text
stringlengths
11
353k
meta
dict
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, мазаем и 25 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.35 «КъэкIуэнур зейхэр» 9.00 «Усэхэр зэрыт тетрадь». ЩоджэнцIыкIу Алий (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. Ещанэ Iыхьэ 18.40 «Перспектива». КъБР-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэм теухуауэ. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Пётр 19.25 Мультфильм 19.45 «ЦIыхубэ IэщIагъэхэр». ЦIыхубэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрым и унафэщI Урыс А. (12+) 20.20 КъБР-м и Къэрал филармониер илъэс 70 ирокъу (16+) 20.50 «Гъунапкъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 21.20 «Нобэ, пщэдей…». ЕджапIэм психологым щигъэзащIэ къалэныр 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, мазаем и 26 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «ЩIэныгъэм лъэужь къыхэнэн». Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щомахуэ Алексей 8.20 «ЕгъэджакIуэ». УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Каркаевэ Жаннэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.50 «Псыпэхэш». Щауэжь Елмырзэ къызэралъхурэ илъэси 115-рэ щрикъум ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.20 «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ». Композитор Тхьэбысым Умар (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 Мультфильм 18.25 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. ЕплIанэ Iыхьэ 19.25 Мультфильм 19.30 «Ар фщIэн хуейщ». Медицинэ хъыбарыщIэхэр 20.00 «ЩIалэгъуалэ Iуэху» 20.30 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 20.45 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) 21.15 «ЩIэныгъэр гъуазэщ». ЕгъэджэныгъэмкIэ Тэрч куейм и IэнатIэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, мазаем и 27 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «ЩIэуэ хагъэхьахэм къапэщыт къалэнхэр». КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Тау Пщыкъан 8.25 «Тайм-аут». Спорт тележурнал 8.40 «ЗэчиифIэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.10 «Узыншагъэ». 2-нэ къалэ клиникэ сымаджэщыр 9.35 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (16+) 18.00 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. КIэухыр 18.45 «Спорт хъыбархэр». КъБР-м пауэрлифтингымкIэ и федерацэ 19.25 Мультфильм 19.30 «Чемпионхэр». СССР-м атлетикэ хьэлъэмкIэ спортым и мастер Уянаев Владимир (12+) 19.55 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ». Токумаев Жэгъэфар и драматургиер (балъкъэрыбзэкIэ). 20.25 «Унагъуэ». Псынэдахэ къуажэм щыпсэу Къалэжьокъуэхэ я унагъуэм теухуауэ (адыгэбзэкIэ) 21.00 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, мазаем и 28 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Автограф». КъБКъУ-м и студент советым и унафэщI Лу Азэмэт 8.35 «Уста». Арджэн зыщI IэпщIэлъапщIэ Бозиевэ Мэржан (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.55 «Гум къиIукI уэрэд». Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэ Къул ФатIимэ 18.00 Мультфильм 18.10 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт-нэгузыужь программэ 18.35 КъБКъУ-м щеджэ студентхэм я щIэныгъэм хамэ къэралхэм щыхагъэхъуэным теухуауэ 19.25 «ХъуэпсапIэхэр нэхуапIэ мэхъу» 19.40 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Жэрыкъуэ Борис 20.00 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) 20.30 УсакIуэ Додуев Аскэр и творчествэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) 20.50 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) 21.10 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Гузеевэ Ларисэ 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, гъатхэпэм и 1 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Лъэхъэнэ». Булатов Юруслан (балъкъэрыбзэкIэ) 8.25 «Дыгъужь кIэн». «Аслъэн сымаджэ» таурыхъым къытращIыкIа спектакль (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.55 «Абы и псалъэр». Нало Къарэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.25 КъБР-м и Къэрал филармонием и симфоническэ оркестрым и махуэшхуэ концерт 18.00 Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-м и творческэ гупым и концерт 19.25 Мультфильм 19.30 «Насып». Дзэ-Хьэуа Къарухэм я ветеран Бозиев Махаудин (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.00 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.20 «БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.50 «49-нэ каналым и пощт»» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, гъатхэпэм и 2 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Ди щIэин» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.35 «ФIым телэжьэн». Джэдгъэф Хъусен (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 17.45 «Ретроспектива». «Оглянись, найдешь друзей». Художественнэ фильм 19.10 «Кавказым хуэусахэр». Пушкин Александр 19.40 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 20.00 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 20.15 Адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэр. «ШыкIэпшынэ» (адыгэбзэкIэ) 20.45 Республикэм щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ) 21.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 3 7.40 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 7.55 Спорт программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.25 «Усыгъэм и дунейщ». Уэрэзей Афлик (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.55 Республикэм щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.50 Мультфильм 17.05 «Ретроспектива». «Измаил-Бей». Лермонтов Михаил и поэмэм къытращIыкIа телепостановкэ 18.35 «Нэхумрэ ныбжьымрэ». СурэтыщI Мамоновэ Светланэ 19.05 «Парт нэхъыщхьэ». Темыркъан Пётр 19.40 «Лъэхъэнэ». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Кетенчиев Мусэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.10 «Гуащэпэж». IутIыж Борис и тхыгъэ къытрамыдзахэм ятеухуауэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, мазаем и 25 7.07 — 7.10, 7.35 — 7.41, 8.07 — 8.10, 8.35 — 8.41 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 — 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 — 11.50 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30 — 14.50, 17.30 — 17.50, 19.40 — 20.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ эфир занщIэм щригъэкIуэкI нэтын. 21.15 — 21.30 «IэщIагъэр къыщыхэпхкIэ». КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет. Гъубж, мазаем и 26 7.07 — 7.10, 7.35 — 7.41, 8.07 — 8.10, 8.35 — 8.41 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын. 9.30 — 9.45 «Макъамэ пощт». 11.30 — 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 — 11.50 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30 — 14.50, 17.30-17.50, 19.40 — 20.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «Литературэм теухуауэ». 21.00 — 21.30 «Дин щэнхабзэмрэ дуней тетыкIэмрэ я лъабжьэхэр». Бэрэжьей, мазаем и 27 7.07 — 7.10, 7.35 — 7.41, 8.07 — 8.10, 8.35 — 8.41 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 — 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 — 11.50 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30 — 14.50, 17.30 — 17.50, 19.40 — 20.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 — 21.30 ТВ-м и гъэтIылъыгъэхэм щыщщ. Теппеев Алим. «Гъуэгуанэ хьэлъэ» (балъкъэрыбзэкIэ). Махуэку, мазаем и 28 7.07 — 7.10, 7.35 — 7.41, 8.07 — 8.10, 8.35 — 8.41 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «Нобэ япщэфIхэр». 9.30 — 9.45 «Макъамэ пощт». 11.30 — 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 — 11.50 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30 — 14.50, 17.30 — 17.50, 19.40 — 20.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «Гум къыбгъэдэкIыу». УФ-мрэ КъБР-мрэ щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор Жэрыкъуэ Борис и фэеплъу. 21.10 — 21.30 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей…» (адыгэбзэкIэ). Мэрем, гъатхэпэм и 1 7.07 — 7.10, 7.35 — 7.41, 8.07 — 8.10, 8.35 — 8.41 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 — 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 — 11.50 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30 — 14.50, 19.40 — 20.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 17.30 — 17.50 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 20.40 — 21.30 «Вояж» нэтыныр. Щэбэт, гъатхэпэм и 2 8.10 — 8.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 10.05 «Нобэ япщэфIхэр». 10.35 — 11.00 «Макъамэ пощт». 11.10 — 11.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 14.20 — 14.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 3 10.20 — 11.00 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр». 14.20 — 14.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. КъБР-м и радио Блыщхьэ, мазаем и 25 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00 «Гум и къеуэкIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «КъежьапIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, мазаем и 26 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.53/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Дэрэжэгъуэ» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 Классикэ макъамэм и концерт (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/14.30 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, мазаем и 27 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэ -кIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «Панорама» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Гухэлъ уэрэдхэм я концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Салам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, мазаем и 28 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «КIэщIу — нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Макъамэ» (урысыбзэкIэ). 9.34/17.42 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.44/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 «Уэрэдыжьхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Чепелеу фрегъэблагъэ». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 12.25/12.45 «Дэтхэнэри щIыхьэну хуит ящI» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Пшыналъэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, гъатхэпэм и 1 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэ -кIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ». Диныр зи фIэщ хъухэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.32 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, гъатхэпэм и 2 7.00/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Эрирей». IуэрыIуатэ-этнографие журнал (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и щIыналъэм» (урысыбзэкIэ). 10.00 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.30 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00/14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 3 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ). 10.40/11.00 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35/14.00 «ЦIыхуитIым зэдыжаIэ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25353.txt" }
IэщIыб дывмыгъэщI Си лъэпкъ. Си къупщхьэ. Си лъахэ. Ахэр псори зи щхьэ пщIэ гуэр хуэзыщIыж цIыхум къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэ инхэщ. Ауэ абыхэм я щхьэжщ анэдэлъхубзэр. Ар зиIэрщ лъэпкъри, къупщхьэри, лъахэ зиIэу къэзылъытэри. Хуабжьу си жагъуэ мэхъу сэ схуэдэ зи щIалэгъуэхэм зи бзэр зэзымыпэсыж, ар Iумпэм зыщI къащыхэкIым деж. Апхуэдэ Iуэхухэм срогузавэ икIи сропIейтей. Сабийр къалъхуу анэбгъэм щIалъхьа нэужь, шэм и гъусэу абы и лъынтхуэхэм ирокIуэ и анэдэлъхубзэри. Аращ абы «анэдэлъхуу щыт бзэкIэ» щIеджэри. АдэкIэ анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр цIыкIум зыхещIэ анэм, анэшхуэм я дзапэ уэрэдхэмкIэ, адэм, адэшхуэм я таурыхъхэмкIэ. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, анэдэлъхубзэм унагъуэм лъабжьэ быдэ щимыIэмэ, ар абы къихъуэ сабийхэм къащтэнукъым. Бзэр щымыIэмэ, ухэныжынущ абы къыпхуихь хъугъуэфIыгъуэ куэдым. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, ди адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ, лъэпкъ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ, адыгэ фащэмрэ езы адыгэш дыдэмрэ. Сэ дапщэщи сфIэдахэщ ди адыгэ фащэр. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт: адыгэ щIалэхэм лъэпкъ фащэ екIухэр тщыгъыу, шы къарэ лъэ псыгъуэхэм дытесу… Ар сыту дахэ икIи гухэхъуэ! Я хэку залымыгъэкIэ ирахуауэ щыта ди лъэпкъэгъу куэдым хамэ къэралхэр псэупIэ зэрахуэхъуам псори дыщыгъуазэщ. Абыхэм яхэтщ ди анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ, хабзэмрэ нэмысымрэ, лъэпкъ хьэл-щэнымрэ нэщэнэхэмрэ хэкум къина дэ нэхърэ нэхъыфIу зыхъумэжахэр е яхъумэжыну хущIэкъухэр. А хуитыныгъэр дэ зыми къытпимыубыдми, мыхьэнэшхуэ едмытурэ Iэпэдэгъэлэл щытщI къытхуохуэ. Абы дыхуэсакъыпхъэщ. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ яхызолъагъукI адрей предметхэм. Дауи, ди егъэджакIуэ щыпкъэхэм дызыхуашэ дэтхэнэ щIэныгъэри мыхьэнэшхуэ зиIэщ, атIэми ди анэдэлъхубзэм ехьэлIахэр япыщIащ ди лъэпкъ хабзэм, тхыдэм, ди блэкIамрэ къэкIуэнумрэ. Пэжщ, а предметхэмкIэ дымытынкIэ хъунущ еджапIэ нэхъыщхьэхэм дызэрыщIэтIысхьэ экзаменхэр, ауэ ахэр тщIэн хуейщ, дыщыадыгэкIэ, адыгэ лъэпкъым дрицIыхуу щыщыткIэ. ФIыуэ слъагъу «Адыгэ псалъэ» газетыр къэзгъэсэбэпу си ныбжь ит щIалэгъуалэм захуэзгъэзэну сыхуейт: «Си къуэшхэ, си шыпхъухэ. ДывмыгъэщI IэщIыб ди анэдэлъхубзэр, дуней псом лъэпкъыу дыкъызэрыщацIыху ди адыгэбзэр, ди адыгэ хабзэр, нэмысыр. Дывгъэхъумэ ар, дыхуэвгъэсакъ нэхъыжьхэм щIэин лъапIэу къытхуагъэна а фIыгъуэ иным. Дывгъэпсалъэ ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, IутIыж Борис сымэ хуэдэ адыгэлI щэджащэхэм яIурылъа бзэ дахэмкIэ. Фи фIэщ зэрыхъун, ди дежкIэ абы нэхърэ нэхъ лъапIэ, нэхъ хуабэ, нэхъ IэфI щымыIэкIэ». ТЕРКЪУЛ Астемыр, Налшык дэт гимназие №29-м и еджакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25360.txt" }
ТекIуахэр ягъэпажэ КъБКъУ-м и Филологие институтым иджыблагъэ щекIуэкIащ бжэ зэIухахэм я махуэ. А зэIущIэм щагъэлъэпIащ университетым бзэхэмкIэ иригъэкIуэкIа республикэпсо олимпиадэ зэIухам щытекIуахэр. КъызэгъэпэщакIуэхэм а IуэхугъуитIри траухуат Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм. Тау Хьэзешэ текIуахэр егъэпажэ. «Си IэщIагъэм ухызошэ» зыфIаща махуэшхуэм хьэщIэ куэд кърихьэлIат. Олимпиадэм щытекIуахэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ къищынэмыщIа, абы кърагъэблэгъат филологие къудамэр къэзыухахэу лэжьакIуэфIым и щапхъэ цIыху цIэрыIуэ куэди. Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБКъУ-м и проректор Къумыкъу Iэуес: — Cи гуапэу сохъуэхъу зэпеуэм бжьыпэр щызыубыда еджакIуэхэми, абыхэм ядэлажьэ егъэджакIуэхэми, мы махуэшхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэми. Дэ шэч къытетхьэркъым нобэ дгъэлъапIэ ныбжьыщIэхэм IэщIагъэлI нэсхэр къазэрыхэкIынум икIи ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ ди университетым — фи зэфIэкIхэмрэ щIэныгъэмрэ щыхэвгъэхъуэну IэмалыфIхэр къывэзытыну еджапIэ нэхъыщхьэм. Къумыкъум и псалъэхэм къыпищащ Филологие институтым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Куянцевэ Еленэ. — Мыпхуэдэ зэIущIэ нобэ КъБКъУ-м, ди институтым зэрыщекIуэкIым икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Мыбы кърихьэлIа псоми егъэджэныгъэм, щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащI, ехъулIэныгъэфIхэр яIэщ. Илъэс 80 хъуауэ бзэм елэжь ди къудамэм бжьыпэр иIыгъщ лъэпкъыбзэр, нэгъуэщIыбзэхэр езыгъэдж IэщIагъэлIхэр къыщIэгъэкIынымкIэ, анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр сабийпсэм зыхезыгъащIэ егъэджакIуэхэр гъэсэнымкIэ. Къызэхуэсахэм я нэгум кърих дэрэжэгъуэмрэ нэжэгужагъэмрэ щыслъагъукIэ, си фIэщ мэхъу ар бзэм хуаIэ лъагъуныгъэм и нэщэнэу зэрыщытыр икIи си гугъэщ а лъагъуныгъэр ехъулIэныгъэфIхэм хуэзышэн гъуэгушхуэ зэрыхъунур. Псэр егъэгуфIэ, лъэр жан ещI апхуэдэ щIэблэ къызэрытщIэхъуэм, — жиIащ Куянцевэм. Къумыкъу Iэуес къыхэжаныкIахэм саугъэт ярет. Филологие институтым мазэкIэ ипэ къихуэу иригъэжьа олимпиадэм 10 — 11-нэ классхэм щIэсхэм Iэмал яритащ къудамэм щадж бзэхэмкIэ эссе, очерк, усэхэр ятхыну. АдыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ ятха лэжьыгъэхэр 200-м нэсырт. Республикэм и куей псоми я лIыкIуэхэр зыхэта зэпеуэм нэхъ жыджэру зи зэфIэкI къыщызыгъэлъэгъуахэм ящыщщ Акъбащ Ипщэ, Балъкъэр Ипщэ къуажэхэм, Налшык къалэ щыIэ еджапIэхэм щIэсхэр. Лэжьыгъэхэр къапщытащ филологие институтым и егъэджакIуэхэм. Анэдэлъхубзэр хуиту, шэщІауэ зыІурылъ ныбжьыщIэ цIыкIухэм я очеркхэр, эссехэр, усэхэр Iэзагъышхуэ хэлъу зэхэлъхьат. Утыкум ирагъэблэгъа Тау Хьэзешэ, адыгэбзэ кафедрэм и унафэщIым, къызэхуэсахэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуа нэужь, текIуэныгъэ къэзыхьа еджакIуэхэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ университетым къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ яритащ. Зэпеуэм адыгэбзэкIэ лэжьыгъэ къезыгъэхьахэм ящыщу нэхъыфIу къалъытащ Гъубжокъуэ Даннетэ (Нарткъалэ, курыт школ №1, 10-нэ класс, очерк), Соблыр Самирэт (Щхьэлыкъуэ, курыт школ №1, 11-нэ класс, эссе), Абазэ Юлианнэ (Старэ Шэрэдж, курыт школ №2, 10-нэ класс, усэ). ЕтIуанэ увыпIэр хуагъэфэщахэщ ЕкIэщIауэ Аидэ (Къэхъун къуажэ курыт школ №1, 11-нэ класс, очерк), Гъуэныбэ Ася (Дейскэ къуажэ, 10-нэ класс, очерк), ХьэтIэхъу Альбинэ (Инарыкъуей, 10-нэ класс, эссе), Алборэ ФатIимэ (Старэ Шэрэдж, курыт школ №1, 10-нэ класс, эссе), Лъеиншэ Андрис (Налшык, курыт школ №17, 11-нэ класс, усэ), Къып Фаинэ (Налшык, курыт школ №31, 8-нэ класс, усэ) сымэ. Апхуэдэу, ещанэ увыпIэр иратащ еджакIуэ зыбжанэм. Ахэр: Къардэн Каринэ (Зэрэгъыж къуажэ, 10-нэ класс, очерк), Жэмыхъуэ Iэминат (Зеикъуэ, курыт школ №3, 10-нэ класс очерк), Дзыгъуэнэ Виолеттэ (Старэ Шэрэдж, курыт школ №2, 10-нэ класс, очерк), Жыгун Ланэ (Налшык, гимназие №1, 10-нэ класс, эссе), Якуэкъутэ Марьянэ (Налшык, курыт школ №5, 11-нэ класс, эссе), ХьэщIэлI Ислъам (Налшык, курыт школ №27, 9-нэ класс, эссе), Мамыщ Иннэ (Налшык, курыт школ №17, 10-нэ класс, усэ), Къондракъ Аминэ (Акъбащ Ипщэ къуажэ, 11-нэ класс, усэ). Апхуэдэу ягъэлъэпIащ олимпиадэм адрей бзэхэмкIэ щытекIуахэри. КъыхэжаныкIахэм ехъуэхъуахэщ махуэшхуэм къеблэгъахэу Налшык къалэ курыт школ №32-м и унафэщI Блэныхь Къазбэч, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и щIэныгъэлI Аппоев Алим, университетым и нэмыцэбзэ кафедрэм и унафэщI, профессор Аликаев Рашид, инджылызыбзэ кафедрэм и егъэджакIуэ, профессор Чым Рашид, урысыбзэ кафедрэм и егъэджакIуэ, доцент Омар Абдуллах, нэгъуэщIхэри. Абыхэм яужькIэ псалъэ иратащ КъБКъУ-м и филологие къудамэр къэзыуха, Налшык дэт 4-нэ курыт школым адыгэбзэр щезыгъэдж ЦIыпIынэ Идар. Къызэхуэсахэр абы щыгъуазэ ищIащ и адэ ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэкIэ я унагъуэм къабгъэдэкIыу ягъэува ахъшэ саугъэтыр адыгэбзэ къудамэм щеджэу нэхъ къыхэпэжыкIхэм ящыщ зым илъэс къэс зэрыратыр. Мы гъэм а саугъэтыр къихьащ икIи утыкум къришэри ар иритащ япэ курсым щеджэ Унэж Залинэ. ЗэIущIэр ягъэдэхащ КъБКъУ-м уэрэдымрэ къафэмкIэ и театр «Амикс» гупым и уэрэджыIакIуэхэмрэ къудамэм и студентхэмрэ. ЩОДЖЭН Iэминат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25362.txt" }
КIуэдыпIэм къытхуишыну? ЮНЕСКО-м 1999 гъэм щэкІуэгъуэм и 17-м къищта унафэм тету, мазаем и 21-р Анэдэлъхубзэм и махуэу дуней псом щагъэлъапІэ. А унафэр ауэ сытми къащтакъым, а махуэри щхьэусыгъуэншэу къыхахакъым. ЩIэныгъэрэ акъылрэ зиIэ, гущІэгъу зыхэлъ цІыхухэми ЮНЕСКО-ми къагурыІуащ анэдэлъхубзэхэр цІыхуцIэ зиІэм я беягъыу зэрыщытыр, ахэр бгъэкIуэд зэрымыхъунур. ЮНЕСКО-м къипщытащ дуней псом нобэ бзэ 6000 нэхъыбэ тету, ауэ абыхэм ящыщу 2500-м щIигъу кІуэдыпІэ ихуауэ, тхьэмахуитІ къэсыхункІэ зы бзэ дунейм текІуэдыкІыжыпэу. 1996 гъэм къыщыщІэдзауэ ЮНЕСКО-м атлас къыдегъэкІ кІуэдыпІэ ихуа бзэхэр къыщигъэлъагъуэу. 1996 гъэм къыдэкІа япэ атласым зэритымкІэ, бзэ 600 кІуэдыпІэ ихуауэ арат. А бжыгъэр 2001 гъэм — 900-м, 2009 гъэм — 2511-м нэсащ. Абы къикІыр сыт? Дуней зыужьыныгъэм, технологием, глобализмэм, (нэхъ ІупщІу жыпІэмэ, цІыхур мылъку-напэ зэрыхъум) къыдэкІуэу, анэдэлъхубзэхэр нэхъ щІэхуабжьэу кІуэдыпІэ йохуэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ ди анэдэлъхубзэри кІуэдыпІэ ихуахэм яхэтщ. Мы махуэр щIагъэлъапIэр сабийм, цIыху къызэрыкIуэм, лъэпкъым, дунейпсо щэнхабзэм, цивилизацэм дежкIэ анэдэлъхубзэм мыхьэнэуэ иIэр, фIагъышхуэу къихьыр, бзэхэр зэрыкIуэд щIыкIэр, апхуэдэ къэмыхъун щхьэкIэ щIапхъэхэр нэхъ IупщIу утыкум къралъхьэн, къэрал лIыщхьэхэм, унафэщIхэм я гулъытэр абы къыхуагъэушын папщIэщ. Мазаем и 21-нэ махуэр къыщIыхахам и щхьэусыгъуэри дигу къэдгъэкIыжынщ. Бангладеш щIыналъэр 1905 гъэ пщIондэ Инджылызым и бжьым щIэтащ, 1969 гъэр къихьэху, Пакистаным и зы хэгъуэгуу щытащ, ауэ 1971 гъэм къыщыщIэдзауэ республикэ щхьэхуитщ. И бзэр бенгалыбзэщ. Бенгалыбзэм псалъэ 125.000-рэ нэхъыбэ хэтщ. Санскритыбзэр зэратхыу щыта тхэпкъылъэм (алфавитым) тхэпкъипщI (буквипщI) хагъэхъуэжри, езым я тхэпкъылъэ къагъэхъуауэ абы иротхэ, ироджэ. Пакистан Iэтащхьэхэр 1952 гъэм Iурдубзэр тепщэ ящIыну, бенгалыбзэр ягъэкIуэдыну яужь йохьэ. Бенгалыбзэри араб тхэпкъхэмкIэ ятхын хуейуэ къыхуагъэув. Бенгалхэм ар ямыдэу зыкъаIэт, Даккэ университетым и еджакIуэхэр я пашэхэу. Я анэдэлъхубзэм къыщхьэщыжу уэрамым къыдыхьа щIалэ еджакIуэхэр 1952 гъэм мазаем и 21-м зэтраукIащ. Бенгалыбзэр дакъузэу ямыдэу зыкъэзыIэта щIалэгъуалэм я фэеплъ. Даккэ къалэ Мис а махуэр 1999 гъэм къыщыщIэдзауэ ЮНЕСКО-м игъэнэхуащ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэу, зи бзэ зыхъумэжыну хэт цIыхухэм щIыхь зэрахуэфащэр къригъэлъагъуэу. Аращи, дэри ЮНЕСКО-м тхухиша лъагъуэм дрикІуэн, мыхьэнэшхуэ зиIэ а махуэр къэдгъэсэбэпурэ, ди анэдэлъхубзэм гулъытэ хэха хуэтщIын хуейуэ къыдолъытэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, цІыхум диIэр тфIэкIуэда и ужьщ абы мыхьэнэуэ иIар къыщыдгурыІуэр. Сымаджэ дымыхъуу, узыншагъэм и фІагъыр, и уасэр къыдгурыІуэркъым, сымаджэ дыхъуу узым дыщриудкІи, къэгъэзэжыпІэ димыІэжу дыкъонэ. АнэдэлъхубзэмкІи ди Іуэху зытетыр апхуэдэщ. Махуэ къэс ди анэдэлъхубзэр зэрытІэщІэхум гу лъыдмытэурэ кІуэмэ, и кІэм дыщынэсым ахъ-уахъ жытІэжкІи къикІын щыІэжынукъым. Убыхыбзэ зыщІэу щытахэр мыбэлэрыгъыу игъуэм къэушатэмэ, нобэ а бзэ лъэщыр щыІэфынут, тхыдэм и кІыфІыгъэ куупІэхэм къыхэна Іуэхугъуэ куэдыр абыкІэ къагъэнэхуэфынут, литературэ гъэщІэгъуэн абыкІэ къагъэхъуфынут… Нобэ дыкъэмыушмэ, ди бзэм щхьэкІи аращ илъэсищэ дэкIа нэужь жаІэнур. Бзэр щыкІуэдыр ар зыщІэхэр иримыпсэлъэжмэщ, я щІэблэм ирамыгъэщІэжмэщ, еджапІэхэм щрамыгъэджыжмэщ, радио-телевиденэкIэ зэхамыхыжмэщ, тхылъ, журнал, газет абыкIэ къыдамыгъэкІыжмэщ, къыдагъэкІхэр цІыхубэм къамыщэхуж, къафІэмыІуэхуж щыхъукІэщ… Девгъэгупсысыт: сабийм, цIыху къызэрыкIуэм, лъэпкъым дежкIэ анэдэлъхубзэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэу пІэрэ? Мис абы и жэуапу жыпIэ хъунур. Анэдэлъхубзэр анэ быдзышэщ Сабийр зыгъэбжьыфIэр, зыпсыхьыр, и Iэпкълъэпкъыр, и къупщхьэр зыгъэбыдэр, и зэхэщIыкIыр, и гурыхуагъэр зыгъэлъэщыр анэ быдзышэрщ. Анэ быдзышэ зымыгъуэт сабийм узхэр нэхъ къытогушхуэ, и гъащIэр игъэмащIэу жыпIэми, ущыуэщэну къыщІэкІынукъым. Абы къыхэкIкIэ, узыншагъэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм, сабийхэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм (ЮНИСЕФ) сабийхэр Iэмал имыIэу мазих нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ анэ быдзышэ закъуэкIэ упIын хуейуэ, абы и ужькIэ нэгъуэщI шхыныгъуэ-хущхъуэ гуэрхэр дыщIыгъуауэ, иджыри анэ быдзышэ егъэфэн хуейуэ къагъэув. Ислъам динми анэхэм къахуегъэув я сабийхэр илъэситIкIэ анэ быдзышэ ирагъэфэну. Нанум анэ щимыIэжым е и анэм щримыгъэфэжыфым деж, адэм и пщэрылъщ абы анэ быдзышэ къыхуигъуэтыну (КъурIэн-Бакъара:2/233; Лукъман:31/14). Сабийм дежкIэ анэ быдзышэр зищIысым хуэдабзэщ лъэпкъым дежкIэ анэдэлъхубзэр. ЦIыхур — бзэр — гупсысэр зэбгъэдэпх мыхъун пкъыгъуэхэщ. ЦIыхур цIыху зыщIыр гупсысэрщ, абы и гупсысэр зэригъэIур и анэдэлъхубзэращ. Шэч хэлъкъым: зи анэдэлъхубзэр фIыуэ зыщIэм нэгъуэщIыбзэхэр нэхъ щIэх зрегъэщIэф. Анэдэлъхубзэм зиужьыху, гупсысэм зиужьыху, анэдэлъхубзэм зеужь. Сабийм зезыгъэужьыр и анэм, къызыхэхъухьа унагъуэм, лъэпкъым къыжраIэ псалъэрщ, къызэрепсалъэ бзэрщ. Гущэкъу уэрэдхэм, убзэ псалъэхэм, IуэрыIуатэм, шыпсэхэм, IурыIубжэхэм, псынщIэрыпсалъэхэм, къуажэхьхэм, нэгъуэщIхэми сабийм дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Анэ быдзышэмрэ анэдэлъхубзэмрэ щIапIыкIар и гурыIуэ-гурыхуагъкIи, и зэхэщIыкIкIи нэхъ быдэ, нэхъ лъэщ, нэхъ сэнаушыфIэ (талантливый) мэхъу. Аращи, сабийр телевизорым, щIэнгъэпсым (компьютерым) гъэр имыщI щIыкIэ, анэдэлъхубзэм и фIыгъуэ къедбжэкIахэмкIэ, гущэкъу уэрэдым къыщыщIэдзауэ псынщIэрыпсалъэм щыщIэкIыжу, псыхьын хуейщ. Абы и ужькIэ умышынэж! НэгъуэщI бзэри, щIэныгъэри, IэщIагъэри нэхъ тыншу абы зыIэригъэхьэфынущ. Сабийр анэдэлъхубзэм къыхалъхуэ. Анэдэлъхубзэр, хамэбзэм хуэдэу егупсысхэурэ, зэрагъапщэурэ зрагъащIэркъым, гупсысалъэр къэмыуш щIыкIэ япкърохьэ армыхъумэ. Аращ абы анэдэлъхубзэкIэ щIеджэри. Сабийм абы и ужькIэ къищIэу хъуар и анэдэлъхубзэм хэт макъхэм, пса- лъэхэм, гупсысэхэм, щIэныгъэхэм, дуней зыха- щIэм, нэгъуэщIхэми иригъап- щэурэщ зэрызригъащIэр. Анэдэлъхубзэм хэту абы пкърохьэ лъэпкъым илъэс мин бжыгъэкIэ зэхуихьэса щIэныгъэ лъапсэхэр. Апхуэдэурэ сабийм гу лъетэ къызыхэхъухьа унагъуэм, лъэпкъым я зы пкъыгъуэу езыр зэрыщытым икIи ар апхуэдэ зы унагъуэм, лъэпкъым зэращыщым иригушхуэу къызэфIоувэ. Апхуэдэурэ нанур къызэрыхъухьа унагъуэм и мызакъуэу, лъэпкъми и бын мэхъу. Анэдэлъхубзэм ипсыхьа бынхэм лъэпкъыр ягъэлъэщ, зрагъэужь, ирагъэфIакIуэ. Лъэпкъхэм зэрагъэпэща дахагъэхэр зэдагуэшым зэрахъуэжурэ, дуней цивилизацэри нэхъыфI, нэхъ дахэ мэхъу. Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыр и бзэрщ Лъэпкъыр щызыгъэІэр псом япэ абы и бзэмрэ а бзэмкІэ къигъэхъуа-зэригъэпэщахэмрэщ. Лъэпкъым и бзэр ихъумэжыху и бзэми езыр къехъумэж. НэгъуэщІу жыпІэмэ, лъэпкъым и бзэр щигъэІэху, езыри дыщоІэ. И бзэр щыщымыІэжым, лъэпкъри щымыІэжу аращ. Девгъэгупсысыт убыххэр щымыІэжу зэрыжаІэм! Пэжыр жыпІэнумэ, щымыІэжыр убыххэракъым, я бзэращ армыхъумэ. Ауэ, я бзэр щыщымыІэжым деж, езыхэри щымыІэжущ цІыхухэм къазэрыщыхъур. ИкІи ар мыпэжу пхужыІэнукъым. Убых лъэпкъым къыхэкІауэ цІыху куэд щыІэщ ноби, абы я хэгъуэгури Щачэ (Сочэ) щыІэщ. Ауэ убыххэр лъэпкъ кІуэдыжахэм яхэтущ зэрабжыр. ЦIыхубэ гупыр лъэпкъ зыщI пкъыгъуэхэм щытепсэлъыхькIэ, щIэныгъэрылажьэ куэдым анэдэлъхубзэр псом япэ ирагъэщ. Зы щIыналъэ, зы хэку ущыпсэуным уасэшхуэ зэриIэм шэч хэлъкъым. Ауэ илъэсищэрэ тхущIрэ хъуауэ щIыналъэ зэпэщхьэхуэхэм дыщыпсэурэ пэт, иджыри а зы лъэпкъым дыщыщу зэрызыдбжыжыр, абы дызэрыригушхуэр псом япэ зи фIыгъэр анэдэлъхубзэр, абыкIэ къэдгъэхъу, зетхьэ хабзэр, бзыпхъэр, щэнхабзэр, дуней зыхащIэр арагъэнущ. Апхуэдэ сэнаушрэ гуащIэрэ зэрыхэлъым къыхэкIкIэ, анэдэлъхубзэм пщIэ хуэфащэщ. Ауэ, дауи, хэкури зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, анэдэлъхубзэми, хабзэ-бзыпхъэми, лъэпкъми ар я гущэщи. Девгъэгупсысыт, нобэ адыгэм къытхэкІауэ нэгъуэщІыбзэкІэ тхэуэ цІэрыІуэ хъуа тхакІуэ-усакІуэ куэд дунейм зэрытетым! Ауэ ахэр дауэ адыгэ тхакІуэу зэрыдбжынур?! Сыту пІэрэ абыхэм фІагъыу лъэпкъым къыхуахьыр?! Лъэпкъыр, езым и бзэ зэримыхьэжыфу къыщынэкІэ, къару къыхэзылъхьэ гуэрхэр къилъыхъуэу щІедзэри, нэгъуэщІыбзэкІэ цIэрыIуэ хъуа гуэрхэр къыхэкІауэ щытмэ, абы иригушхуэу хуожьэ, ятхар зыхуэдэр имыщІэ пэтми. Псым ихьыр шхийм йопхъуэ, щIыжаIар апхуэдэ гуэр хъунщ. Ауэ абы зыри къикІынукъым, лъэпкъыр абыхэм ягъэпсэуфынукъым. Лъэпкъыр щызыгъэІэфынур, фІыми Іейми, мащІэми куэдми анэдэлъхубзэкІэ ятха-ящІахэрщ. Адыгэ лъэпкъым къытхэкІауэ нэгъуэщІыбзэкІэ цІэрыІуэ хъуа тхакІуэхэр адыгэ тхакІуэ щыхъуфынури абы я фІыгъэ лъэпкъым къыщекІыфынури, ятхахэр адыгэбзэкІэ зэдзэкIыжауэ къытлъэІэсыжмэщ, абыхэм ятхахэм адыгэ хуэмэбжьымэ хэту щытмэщ. КIэщIу жытIэмэ, дэнэ дыщымыпсэуми анэдэлъхубзэм ди нэIэ тедгъэтын, дыхуэсакъын хуейщ, псом хуэмыдэу ди адэжь щIыналъэм. Бзэм кIуэдын зэрыщIидзэр Сыт щыгъуэу пІэрэ бзэм кІуэдын щыщІидзэр? ЩІэныгъэрылажьэхэм къызэрахутамкІэ, бзэм кІуэдын зэрыщІидзэр лъэбакъуищкІэщ, кІуэху, къэгъэзэжыпІэ къыпхуимыгъэнэжу. Япэрауэ, нобэрей гъащІэр здынэсам елъытауэ, сабий садхэм, пэщІэдзэ еджапІэхэм анэдэлъхубзэр щрамыгъэджмэ, а бзэм кІуэдын щІидзауэ аращ. Абы лъэпкъым, къэралым, унафэщІхэм пасэу гу лъатэрэ бзэ политикэ узыншэ кІэлъызэрахьэмэ, гугъуехь куэд пымылъу абдежым къыщызэтрагъэувыІэфынущ, бзэр кърагъэлыфынущ. ЕтІуанэрауэ, анэдэлъхубзэм уэрамхэм, лэжьапІэхэм щримыпсэлъэж хъуамэ, хэкІуэдэжын шынагъуэр абы къыщхьэщыувэпауэ аращ. А шынагъуэм лъэпкъыр имыщІэххэу хохуэри, бзэм ухуэбэлэрыгъ хъунукъым щІыжысІэр аращ. Абы пасэу гу лъыптэмэ, къэгъэзэжыпІэ къыхуэбгъуэтыфынущ, гугъу удехьми. Ещанэрауэ, анэдэлъхубзэр унагъуэм къыщымыIу, щызрамыгъэщІэжыф хъуамэ, хэкІуэдэжыпэным зымащІэ къыхуэнэжауэ аращи, абдеж къыщызэтебгъэувыІэу къыщебгъэгъэзэжыныр гугъу дыдэщ. Узыр хэкIэса нэужь, узыншагъэр зэрыпхузэтемыгъэувэжым хуэдэщ. Аращи, нобэ ди анэдэлъхубзэм и Іуэху здынэсам фІыуэ девгъэгупсыс, ди щхьэ къэдмыгъэпцІэжу, иужькІэ дыхущІегъуэжми, къытхуегъэгъэзэжынукъым. Къэралхэм я къалэнщ анэдэлъхубзэхэр яхъумэну КъэкІыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ къахокI гъащІэм хуэнэрыгъ, хуэерыщ икIи апхуэдэхэм, дауэ ящIми, захъумэжыф. Ауэ бзэр апхуэдэкъым. Ар вазэм щаІыгъ гъагъэм хуэдэщ, ухуэмысакъмэ, псы, ятІэ, хущхъуэ игъуэм иумыгъэгъуэтмэ, щыІэфынукъым, псэуфынукъым. Бзэм и ятІэр, и псыр, и псэр цІыхум, лъэпкъым я гулъытэрщ, еджапІэрщ, газетырщ, радио-телевиденэрщ… Анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр, и уасэр зыгурыІуэ ди цІыхухэм я къалэнщ ар я унагъуэ, я лэжьапІэ щызэрахьэурэ яхъумэну, абы къыдэкIуэу, ди республикэхэр, федерацэр абы къыхуагъэушыну, зи мыхъуми, къэралыбзэхэр я цІыхухэм зэрырагъэщІэну Iэмалхэр хуагъэІурыщІэну, еджапІэхэм ирикъуу щрагъэджыну, къэрал ІуэхущІапІэхэм щызэрагъэкІуэну, официальнэ тхыгъэхэр а бзэхэмкІэ зэрагъэпэщыну, бзэм елэжьын фІэкІа зи мыкъалэн ІуэхущІапІэ къызэрагъэпэщыну, бзитІ-щым ирилэжьэфхэм лэжьапщІэ лей хуагъэувыну… Сабийм хуэщIапхъэм теухуауэ ООН-м къищта унафэм лъэпкъ куэд щыпсэу къэралышхуэхэм пщэрылъ ящещI сабийм и анэдэлъхубзэ, и дин зэрихьэфыну хуитыныгъэрэ Iэмалрэ иритыну. Абы и 30-нэ пычыгъуэм мыпхуэдэу щыжеІэ: «Лъэпкъым, диным е бзэм ятещІыхьауэ цІыху гуп мащІэ е щІыдэхъу-щІыпІэрыс лъэпкъ зэрыс къэралхэм я къалэнщ апхуэдэ цІыху гуп мащІэм е щІыдэхъу-щІыпІэрыс лъэпкъым щыщ сабийр езым и щэнхабзэ зыхуигъэщхьэпэжыным, и дин, и фІэщхъуныгъэ иІэжыным, абы тету псэуным, и анэдэлъхубзэ зригъэщІэным пэІэщІэ ямыщIыну». Анэдэлъхубзэм ди нэIэ зэрытедгъэт хъуну щIыкIэр Анэдэлъхубзэм ди нэIэ щытедгъэтын хуейр, зэрыжытIащи, япэрауэ, унагъуэрщ. Ауэ нобэрей гъащIэм ар щрикъужыркъым, Iэмал имыIэу еджапIэми щедгъэджын хуейщ. Тхьэмахуэм сыхьэт зыщыплI еджапIэм щыхухэпх къудейкIэ анэдэлъхубзэр джа хъунукъым. Сабий садхэм нэхъыбэу щызэхахыр анэдэлъхубзэрауэ щытын хуейщ. ПэщIэдзэ еджапIэми и япэрей илъэсиплI-илъэсийм анэдэлъхубзэр щынэхъыбэу, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ я мызакъуэу (тхыдэ, щIыгъурыфэ (географие), хьисэп хуэдэхэр), нэгъуэщIхэри адыгэбзэкIэ щаджу, урысыбзэмрэ инджылызыбзэмрэ абы даджу гъэпсын хуейщ. ИтIанэ урысыбзэр нэхъыбэ, адыгэбзэр нэхъ мащIэ хъууэрэ екIуэкIми ягъэ кIынукъым. ЩIэблэр и унагъуэм тыншу анэдэлъхубзэкIэ псэлъэф, пэщIэдзэ еджапIэм тхэф- еджэф щымыхъумэ, абы къикІыр а бзэм гъащIэ имыIэжыну, ар кIуэдыжын гъуэгуанэ теувауэ аращ. Дауи, университетым, институтхэм адыгэбзэр езыгъэфIэкIуэн щIэныгъэ лэжьыгъэхэр щыщымыIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ бзэмкIэ щIэныгъэрылажьэхэм я къалэныр зэрынэхъ иным шэч хэлъкъым. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэми дэри ди къалэн дгъэзащIэу си гугъэкъым. Абы къыхэкIкIэ ди анэдэлъхубзэм сытогузэвыхь, кIуэтэху нэхъ фагъуэ, нэхъ тхьэмыщкIэ хъууэ солъагъури. Дауи, ди къэралым (республикэм, федерацэм) зы анэдэлъхубзэ политикэ гъэнэхуа имыIэмэ, зи цІыхущхьэ бжыгъэр мащІэ лъэпкъхэм я бзэхэм пщэдей гъащIэ яIэжынукъым. Ди федерацэм ахэр ихъумэн папщІэ нэхъ политикэ ІупщІ утыкум кърилъхьэн хуейщ. ГъащІэм кІуэдыпІэ иригъахуэ лъэпкъхэр умылъагъу зыпщIынракъым лІыгъэр, цІыхугъэм, лъэпкъышхуэм, къэралышхуэм яхуэфащэр, атIэ ахэр зэрыпхъумэрщ, щыбгъэІэну узэрыхущІэкъурщ. АбыкІэ, дауи, ди республикэхэми къалэнышхуэ яІэщ. Япэрауэ, езым яІэ хуитыныгъэхэр, Iэмалхэр анэдэлъхубзэм ирахьэлІэну, хуагъэлэжьэну, етІуанэрауэ, къэралым абы теухуа унафэфІ къригъэщтэным елэжьынхэу. ЩІэныгъэрылажьэхэм фІы дыдэу зэращІэщи, щІэныгъэм и къалэныр ирикъуу игъэзэщІа хъун щхьэкІэ, лъэбакъуищ къикІун хуейщ. Япэрей лъэбакъуэр: сытыр, сыт хуэдэу, сыт хуэдизу, дэнэ щIыпIэхэм щыщыIэми ар къипщытэну, къихутэну, утыку кърилъхьэну аращ. ЕтIуанэрей лъэбакъуэр: ар сыт щхьэкIэ апхуэдэу, апхуэдизу, апхуэдэ щIыпIэхэм щыщыIэми ар къызыхэкІ щхьэусыгъуэхэр IупщIу къигъэлъэгъуэн щхьэкIэщ. Ауэ а тІуми цІыхубэр хуэныкъуащэу щыткъым. ЦIыхубэр щIэныгъэм щIыхуэныкъуэр абы и ещанэрей лъэбакъуэрщ. Ари пщэдей зэрыхъункIэ хъунур сыт хуэдэ? Апхуэдэ мыхъун е нэхъыфI хъун щхьэкIэ сытхэр щIэн хуей? — упщIэхэм я жэуап пэжхэр, хэкIыпIэхэр къэгъуэтынырщ. Анэдэлъхубзэр хъумэнымкІэ федерацэми, ди республикэми, ди щІэныгъэрылажьэхэми я къалэн ямыгъэзащІэми, дэ — лъэпкъым, цІыху къызэрыкІуэхэм, адэ-анэхэм — ди къалэн зыщхьэщытх хъунукъым, дызыщыщ лъэпкъым дригушхуэмэ, ди адэ-анэхэм дахуэфащэу дыщытыну дыхуеймэ. Тхьэм къытхилъхьа псэм хуэдэу, Тхьэм къытІурилъхьа бзэри тхъумэныр ди къалэну зэрыщытым ди акъыл, ди гулъытэ хурикъумэ. Хъуажь Фахъри.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25366.txt" }
Хэкупсэ гъэсэныгъэм — гулъытэ хэха «Къалэн куэд зыгъэзащIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIалэгъуалэ центрым» мазаем и 15-м щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм хэкупсэ гъэсэныгъэ ябгъэдэлъхьэныр къызэгъэпэщыным бгъэдыхьэкIэ тэмэм къыхуэгъуэтыным щытепсэлъыхьа зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, къалэ, куей администрацэхэм, ветеранхэм я республикэ советым, щIалэгъуалэм ядэлажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ департаментым я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. ЗэIущIэр къызэIуихащ ветеранхэм я республикэ советым и тхьэмадэм и къуэдзэ Зведре Владимир: — СызилIыкIуэ зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкIыу Хэкум и хъумакIуэм и махуэ къэблэгъамкIэ сынывохъуэхъу, — жиIащ абы. — Нобэ дызытепсэлъыхь Iуэхугъуэр илъэс 50-м нэблэгъауэ си дежкIэ хамэкъым. ИкIи гу зэрылъыстэмкIэ, Iэпэдэгъэлэл тщIауэ щытами, иджы абы аргуэру хуэфащэ гулъытэ хуэтщI хъужащ. Ар фIыгъуэшхуэщ, дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэм худиIэ бгъэдыхьэкIэр зэщхьу щытыпхъэщ. Республикэм и ДОСААФ-м и унафэщI Iэщын Юрэ къызэрилъытэмкIэ, щыпсэу къэралым ифI зезыхуэн щIалэгъуалэ гъэсэныр Iуэхуу щыIэм я нэхъыщхьэщ. — НыбжьыщIэхэм я зэхэщIыкIым хэкупсэ гупсысэкIэр щытепщэмэ, ахэр зыхэс жылагъуэми нэхъ зеужь, къэралыгъуэм къару зэхуэмыдэхэр щызэпэщIэувэныр нэхъ кIащхъэ мэхъу, — жиIащ Юрэ. ЧэнджэщкIэ щызэхъуажэ зэIущIэм щызэрихьэлIахэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, ныбжьыщIэхэр гъэсэным хуэунэтIауэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэр ялэжьыфынущ щIалэгъуалэм я Iэпкълъэпкъым зыщрагъэужь, спортым зыщыхуагъасэ IуэхущIапIэхэми дин зэгухьэныгъэхэми. Зэхыхьэм щытепсэлъыхьащ щIалэгъуалэм хэкур фIыуэ ялъагъуу къэхъунымкIэ щIыналъэ унафэщIхэм, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къалэнышхуэ я пщэ къызэрыдэхуэм. Апхуэдэуи къыхагъэщащ КъБР-м и щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным теухуауэ щыIэ республикэ программэр, 2010 — 2015 гъэхэм ятещIыхьар, и чэзум зыхуей хуэзэу мылъкукIэ къызэгъэпэщыным гулъытэ хуэщIын зэрыхуейр. Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25371.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Футбол джэгупIэщIэ Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и Абазэ куейм мы гъатхэм къыщызэIуахыну я мурадщ иджырей алэрыбгъу IэрыщI зытелъ топ джэгупIэщIэ. Ухуэныгъэм щIадзащ 2012 гъэм. ИджыпстукIэ топ джэгупIэм и лъабжьэр хьэзырщ. ЩIымахуэр икIмэ, лэжьакIуэхэм алэрыбгъу IэрыщIыр илъхьэн щIадзэнущ. ДжэгупIэ губгъуэр зэрагъэхуэбэнум и фIыгъэкIэ, илъэс хъурейм зыгъэсэныгъэхэр абы щрагъэкIуэкIынущ. Ар къалэдэс псоми къагъэсэбэп хъунущ, ауэ нэхъыщхьэу ар зыхуащIыр щIыпIэ ДЮСШ-м и гъэсэнхэрщ. IэрыщI алэрыбгъур щIыналъэм къыIэрыхьащ Урысей Федерацэм футболым зыщегъэужьынымкIэ 2008 — 2015 гъэхэм тещIыхьа и программэм ипкъ иткIэ. Федеральнэ бюджетым къыхэкIащ сом мелуани 8,5-рэ. Мэзыр ираупщIыкIырт Адыгей. Республикэм и бгы лъапэхэм полицейхэм щаубыдащ сом мин 300 и уасэ уэздыгъей жыгхэр щизыупщIыкIа гупыр. Мейкъуапэ щыщ хьэрычэтыщIэм гуп щхьэхуэ зэригъэпэщри, гектари 7 хъу мэз пакIэм уэздыгъейхэр, псейхэр щыпиупщIащ, абыкIэ хуит зыщI дэфтэр имыIэу. Апхуэдэ хабзэншагъэм сом мин 300 хэщIыныгъэу кърикIуащ. АбыкIэ къуаншэхэм жэуап зэрырагъэхьыным яужь итщ. «Мэз» Iуэхугъуэм ипкъ иткIэ, мы махуэхэм Адыгейм и щIыналъэм къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкI. ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм зэман кIэщIым яубыдащ нэпцIу шэч зыхуащIа дэфтэрхэр, мэзым пхъэ къыщIашыну хуит хуэдэу, къезыгъэлъэгъуа шофер 40. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25375.txt" }
Мы махуэхэм Мазаем и 21, махуэку Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ Романов лъэпкъым щыщ Михаил Федор и къуэр Урысейм и унафэщIу зэрыхахрэ илъэс 400 ирокъу. А лIакъуэм щыщхэм къэралым пащтыхьыгъуэр щаIыгъащ 1917 гъэ пщIондэ. 1819 гъэм Санкт-Петербург къэрал университетыр къызэIуахащ. Мазаем и 21 – 22-хэм Брюссель (Бельгие) щызэхэтынущ Урысей — НАТО Советым зыхъумэжыныгъэмкIэ я министрхэр зыхэтыну сессиер. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Нэгъуд Борис и ныбжьыр илъэс 64-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 4 — 6, жэщым 1 – 4 щыхъунущ. Мазаем и 22, мэрем Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щауэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу. КъБР-м и Парламентым и депутату щыта, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щоджэн Мартин и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу. Къэрал, политикэ лэжьакIуэ, КъБР-м и Iэтащхьэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик Къанокъуэ Арсен и ныбжьыр илъэс 56-рэ ирокъу. УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м, КъШР-м, Адыгэ Республикэм, Ингушым я цIыхубэ артисткэ Сокъур Ольгэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 — 6, жэщым 1- 3 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25377.txt" }
Зырамыку къиIуэтэжа гушыIэхэр Сыгъуэгыурэ къэсшащ Партым зыгуэр хагъэхьэрт. И биографиер яжриIащ, къызэреупщIхэм жэуап яритащ. Ауэ зыгуэр къэпсалъэри жиIащ: — Фыз куэд къызэрыпшам и хъыбарыр къыджеIэт. — Сытхъэжу къэсша уи гугъэ, сыгъуэгыурэ къэзмышам, тхьэр согъэпцI, хъун къахэмыкIыурэ! — жиIащ кандидатым. Бзэм и быдагъыр ЩIалэжьым нысащIэ дахэ къишащ. Ауэ щIалэжьыр есати, мыдыгъуэу хъунутэкъым. Ти-и-и, и нысащIэм и бзэр быдэрэ тIасхъэрэ игъэунэхун мурад ищIащ. ЩIалэжьым и кIэстум жыпым джэдыкIитI ирелъхьэри, и нысащIэм деж щIохьэж. И кIэстумыр пелъэри мэгъуэлъыж. Пщэдджыжьым жьыуэ нысащIэр къыщолъэтри къыщIож. ЛIыжь-фызыжьыр зыхуей хуегъазэ, мэпщафIэ, пщIантIэр епхъэнкI, псы къехь. АпщIондэху щIалэжьри къотэдж, и жыпым илъ джэдыкIитIыр пIэм щIелъхьэри, къыщIокI. Апхуэдэурэ екIуэкIыурэ, тхьэмахуэ дэкIащ. НысащIэм зэригъэщIэгъуэнур ищIэркъым. Я гъунэгъуми езым хуэдэу нысащIэ цIыкIу къашауэ ар я пщIантIэм щыIэуэлъауэрт. Бжыхьыр я зэхуакуу, нысащIэ цIыкIум зыхуигъазэри: — Ей, уи лIыр кIэцIрэ? — жиIэри еупщIащ. — Ар сыт, на-гущэ, а жыпIэр? Апхуэдэ къэхъурэ? — къеупщIыжащ. Жэщым и лIым жриIэжащ: — Алыхь, ди гъунэгъу нысащIэм и лIыр кIэцIу жеIэм, — жиIэри. Ар зыжриIа щIалэр пщэдджыжьым лэжьакIуэ кIуэуэ гъунэгъу «кIэцIыр» щилъагъум… — Ей, укIэцIу жари! — къегуори, блэкIащ. ЩIалэжьыр къыщIыхьэжри и нысащIэм жриIащ: — Сэракъым, дахэ, кIэцIыр! КIэцIыр уэращ! Сэ уи бзэм и быдагъыр згъэунэхуауэ арат!.. Гугъу зригъэхьыну хуеякъым Анэм зы къуэ закъуэ иIэти, щIым нимыгъэсу ипIырт: дрихьеймэ — гъущIэрт, кърихьэхмэ — щIытэрт, дыгъэ тримыгъапсэу, тегужьеикIауэ, жиIэ псори хуищIэу, Iуэхуи-дэлъи иримыгъащIэу, лIыпIэ иувэху ипIауэ, анэр къытехуэри лIащ. Къуэ гъэфIэныр, арати, гъэпкIауэ къэнащ. Анэр щыпсэуам, зэрыжытIауэ, и къуэр пщэдджыжьым къигъэтэджырти, и напэр хуитхьэщIырт, ихуапэрт, Iэнэм бгъэдигъэтIысхьэрти, и жьэм жьэдилъхьэурэ игъашхэрт. Анэр лIэуэ ахэр имыгъуэтыж щыхъум, щIалэр зы махуи, махуитIи, махуищи езым и хьэрычэткIэ псэуащ, арщхьэкIэ жыжьэ хунэхьэсакъым. — Алыхьыр согъэпцI, сыкъэтэджу, зыстхьэщIу, зысхуапэу, сышхэу — апхуэдиз гугъуехь стелъу сызэрыпсэунум сыхуейм! — жиIэри, щIалэжьым зыпилъэжащ. Аращ гугъуехьым къыщIэгъэтэджэн щIыхуейр. Зэрыхъум елъытащ И фызыр куэдрэ мылъхуэу щысауэ, щIалэжьым къуэ къыхуалъхуат. И ныбжьэгъухэр гуфIакIуэ къыхуэкIуауэ къехъуэхъурт. Зы къуэ щхьэкIэ сынохъуэхъунукъым, тIу-щы уиIэн хуейщ, — жиIащ къэкIуахэм ящыщ зым. — Уэлэхьэ, ар фIы хъумэ, сэ схурикъунмэ, ауэ бзаджэ хъумэ — жылэм зэрыщыту тхурикъунщ, — жиIащ адэм. Узэджэр къокIуэ ТIу шыгум ису здэкIуэм, япэкIэ плъэхэри — зы лIыжь тхьэмыщкIэ гуэр хьэлъэ телъу кIуэрт. — Мобы дызэрыщIыхьэу, сивгъэтIысхьэ жиIэнурэ къыдэлъэIунущ. Сэ сымаджэ зысщIынщи сигъуэлъхьэнщ. Уэ сымаджэ илъщ жыIи, къыумыгъэтIысхьэ, — жиIэри, язым щIакIуэ зытрипIэри шыгум игъуэлъхьащ. Шыгур жэуэрэ, хьэлъэ зытелъ лIыжьым щIыхьащ. — КхъыIэ, сигъэтIысхьэ, щIалэфI, хьэлъэ стелъщ, псапэ хъунщ! — жиIащ лIыжьым. — Уэлэхьэ, мыхъуну, тхьэмадэ, сымаджэ хьэлъэ илъщ! — жиIэри, шым хэуэри блэжащ. — Алыхьым узыншэ ищIыж! — жиIащ лIыжьым. Куэд ямыжу, шыгухур и гъусэм еджащ: — Дыкъыблэжащ а сымаджэ зыщIэпщIам, тэджыж! — жиIэри. АрщхьэкIэ къэтэджыжыртэкъым. ЩIакIуэр трихрэ еплъмэ, — «сымаджэр» лIат. Къигъэшыжауэ къыщыблэжыжым лIыжьыр шыгухум еупщIащ: — Щхьэ къэбгъэкIэрэхъуэжа, тIу? — Сымаджэр лIащ! — жиIащ шыгухум. — Алыхьым гущIэгъу къыхуищI! — жиIащ лIыжьым. Пощтым фошыгъу къишэу пIэрэ? Пасэм щыгъуэ щIалэхэр хъыджэбзаплъэ кIуэуэ щытащ. Апхуэдэ хъыджэбзаплъэ кIуа щIалэжьыр, зэплъыну хуея хъыджэбзым фIэкIа дэмысу ирихьэлIащ. КъызыхуэкIуа хъыджэбзри бзаджэжьт: фошыгъу хэмылъу, шеибжьэ къыхутригъэувэри, къыщхьэщыувэжащ. ЩIалэжьыр еIубри, — шейм фошыгъу хэлътэкъым. «Зу, зу, зу» жригъэIэу шейбжэмышхымкIэ зэIищIэу щIидзащ. А зэманым пощтыр зезышэ шыхэм уэзджынэ якIэрыщIауэ щытащ, зэрыпощтыр ящIэн щхьэкIэ. ЩIалэжьым щимыгъэтыжыххэу стэканыр «щигъэпсалъэм», хъыджэбзым жиIащ: — Пощтыр къэса си гугъэщ. ЩIалэжьри бзаджэжьти: — Фошыгъу къишамэ еупщIыт а пощтым, — жиIащ. Хъыджэбзыр щIэкIри фошыгъу къыхуихьащ. Зиш яужь къинэм си мылъкур ейщ Я адэр щылIэм, и къуитIым уэсят къахуищIащ: — Фи шитIыр къызэдэвгъажи, зиш яужь къинэм си мылъкур ейщ, — жиIэри. Адэр лIэри щIалъхьэжащ, мылъкур зыгуэрым лъысын хуейтэкъэ… Адэм и уэсятыр ягъэзэщIэну я шы зырызым шэсри губгъуэм дэкIащ. Зэбгъуроувэри, яшхэр ирагъэлъ, дэтхэнэри хуейщ и шыр иужь къинэнуи, къыжьэдакъуэж. Апхуэдэу, щхьэж и шыр иужь къыхуимыгъанэу куэдрэ пылъауэ, шыхэми тхъурымбэр къайтIэтIэхыу зэхаукIауэ, зы шу гуэр блэкIыу ар илъэгъуащ. Апхуэдэу щIащIым щыщIэупщIэм, Iуэхур зыIутыр къыжраIащ. — ФишхэмкIэ фызэхъуажи фыкъызэдэжэ, делэжьитI! — жиIэри, шур блэкIащ. Япэ джалэм ущIэмынакIэ ЛIыжьыр уэрамым здрикIуэм, шыщхьэ къупщхьэжь щылъым игъэлъэпэрапэри, джэлащ. Уэршэру уэрамым дэс щIалэ гупым ар щалъагъум, зэщIэдыхьэшхащ ину. — Фымыдыхьэшх, цIапIэ къом, си ныбжь фынэсмэ, сэ схуэдэ фыхъунущ, абы фыфIэкIыжмэ, мыбы хуэдэ фыхъунущ! — жиIэри, щхьэ къупщхьэр яригъэлъагъури, лIыжьыр и гъуэгу теувэжащ. Шыц уэсыр къесу узэрысым уимыкI ХьэщIэмрэ бысымымрэ зэбгъэдэсу махуэр кIуащ. «ХьэщIапIэрынэр емыкIущ» жыхуаIэрати, бысымым и жагъуэт хьэщIэр жэщ къинэну. Ауэ дунейр къызэрызэIыхьам къыхэкIыу, хьэщIэми гъуэгу техьэжын таучэл ищIыртэкъыми, зигъэхъейртэкъым. — Къысхуэгъэгъу, си хьэщIэ, сыщIэкIынщи дунейм и щытыкIэм сыкъеплъынщ, — жиIэри, щымыхъум, бысымыр щIэкIащ. Зыкъиплъыхьщ-зыниплъыхьри, къыщIыхьэжащ. — Дуней дэгъуэщ, уафэ лъащIэри нэхущ, хьэщIэихуж уэсщ, — жиIащ бысымым. — ГъэщIэгъуэныр къызжепIаи, си бысым, — и дамитIыр дришейри, хьэщIэр щIэкIащ. Зыкъиплъыхьщ-зыниплъыхьри, къыщIыхьэжащ. — «Шыц уэсыр къесу узэрысым уимыкI!» — жиIащ пасэрейм, си ныбжьэгъужь, — жиIэри тIысыжащ. Сыт щыIэ абы нэхъыфI?! Я адэр лIэуэ телът, и къуэжьхэр щхьэщытт, Iыхьлыхэри благъэхэри зэхуэсат. — Ей, сэ фэ къыфхуэзгъанэри!.. — къыхэщэIукIырт адэр. — ЖыIэ, ди адэ, сыт къытхуэбгъанэр? — еупщIырт и къуэхэр. — Ей, сэ фэ къыфхуэзгъанэри!.. — аргуэру жиIэрт адэм. — Ди адэм къытхуигъанэр къыщIыджимыIэр хамэ щIэтщи аращ. ФыщIэкI! — унафэ ящIщ абыхэми, езыхэм нэмыщI адрей псори пэшым щIагъэкIащ. — ЖыIэ иджы, ди адэ, сыт къытхуэбгъанэр? — щIэупщIащ зэшхэр. — Мы дуней нэхур къыфхузогъанэ, хуэмыху къом! Сыт щыIэ абы нэхъыфI?! Дахэ-дахэу абы фытет, фымыуцIэпIу. Къамэм сыщыхуей хъунур сэ сщIэрэ? Дизыкъуажэ нэмэз щищIкIэ и къамэр зэи зыкIэрихыртэкъым. Иджыри арати, къамэр кIэрыщIауэ нэмэзлыкъым тест. — Ан-на, нэгъуэщI мыхъуми, нэмэзыр пщIыху къамэр зыкIэрыпхмэ, сыт къэхъун? — жиIащ фызым, хуэмышэчыжу. ЛIым сэлам нэужьым жэуап итыжащ: — Мы нэмэзым сыщытес дакъикъэрамэ сщIэрэ сэ къамэм сыщыхуей хъунур? Нысэгъукъуэ нэхърэ, тIуанэ къуибгъу Автобусым ису фызитI зопсалъэ: — Ан-на, мащIэ щIа дызэрызэрымылъагъурэ! Дауэ фыщыт псори дызыщIэупщIэнкIэ? — Алыхьыр фIыкIэ къыпщIэупщIэ! Ди щытыкIэр Алыхьым къузэритынщ. — Иджыри фызэхэс уи нысэгъум фэрэ? — АтIэ мыгъуэ, ар Алыхьым къыстрилъхьа бэлыхьщ. — Бын дапщэ уиIэ? — ЦIыкIуибгъу сиIэщ, тхьэ! — Алыхьым къыпхуигъэхъу! Уи нысэгъум-щэ? — И щхьэ матэ хуэдизу зы къуэжь иIэщ, тхьэ, лъагъугъуей хъужауэ, — жиIащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25381.txt" }
И IэдакъэщIэкIхэм щыщхэр Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ. Пьесэ. Налшык, 1940 гъэ Уэращ зи фIыщIэр. Хуумыгъэгъу. Зэщумыгъэгъупщэ. Усэхэр. Налшык, 1945 гъэ Нартхэр. Къэбэрдей эпос. (Бэдынокъуэрэ Мэлычыпхъурэ я циклхэр). Налшык. 1951 гъэ Къэбэрдей цIыхубэ уэрэдыжьхэр. Налшык, 1955 гъэ Хъуэжэ. Пьесэ. Налшык, 1956 гъэ Нэгумэ Шорэ. Адыгэ народым и тхыдэ. (АдыгэбзэкIэ зэридзэкIащ). Налшык, 1958 гъэ Мыщэ шу. Сабийхэм папщIэ рассказхэр. Налшык, 1958 гъэ Дыщэ кIанэ. Адыгэ таурыхъхэр. Налшык, 1959 гъэ Къэжэр Индрис и уэрэдхэр. Налшык, 1959 гъэ Хъуэжэ и таурыхъищэ. Налшык, 1959 гъэ Ныбжьэгъу пэж. Сабийхэм папщIэ рассказхэр. Налшык, 1960 гъэ Золотая крупинка. Кабардинские сказки. Нальчик, 1961 гъэ Уэрэдылъэ. Иджырей уэрэдищэ. Налшык, 1962 гъэ Адыгэ IуэрыIуатэхэр. Налшык, I томыр — 1963 гъэ, II томыр — 1970 гъэ Хъыбарыжь кIэщIхэр. Налшык, 1963 гъэ Къэбэрдейм и иужьрей джэгуакIуэшхуэ Агънокъуэ Лашэ. Налшык, 1964 гъэ Адыгэ псалъэжьхэр. Налшык, I томыр — 1965 гъэ, II томыр — 1967 гъэ Ислъэмей къафэм и цIэр къызэрежьам и хъыбар. Налшык, 1965 гъэ Агънокъуэ Лашэ и усэхэр. Налшык, 1966 гъэ Япэ адыгэ цIыхубз усакIуэ Чым Пэщхъан. Налшык, 1968 гъэ ДжэгуакIуэшхуэ, усакIуэ Iэзэ Мыжей Сэхьид. Налшык, 1971 гъэ Хэт хъуну Андемыркъаныр? Налшык, 1973 гъэ Нарты. Адыгский героический эпос. Москва, 1974 гъэ Iей пщIауэ, фIы ущымыгугъ. Пьесэ. Налшык, 1975 гъэ Кабардинские народные сказки. Москва, 1977 гъэ Адыгэ уэрэдыжьхэр. Налшык, 1979 гъэ Къэбардэрэ Алътудрэ. Пьесэ. Налшык, 1980 гъэ Кабардинские народные сказки. Москва, 1980 гъэ Народные песни и инструментальные наигрыши адыгов. Москва, I т. — 1981 гъэ, II т. — 1981 гъэ, III т. — 1986 гъэ Нэгей и къуэ Лъэпщагъуэ. Адыгэ таурыхъхэр. Налшык, 1981 гъэ Верный друг. Рассказы для детей. Москва, 1981 гъэ Адыгэ хъуэхъухэр. Налшык, 1985 гъэ Адыгэхэр къызэрыфэ пшыналъэхэр. Налшык, 1989 гъэ Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ. Налшык, 1990 гъэ Хъуэжэ и таурыхъищэ. Мейкъуапэ, 1994 гъэ Нартхэр. Къэбэрдей эпос. Налшык, 1995 гъэ Адыгэ хабзэу щыIахэр. Налшык, 1995 гъэ Мэлэчыпхъу и хъыбархэр. Налшык, 1997 гъэ ГушыIэ хъыбархэр. Налшык, 2001 гъэ Андемыркъан. Налшык, 2002 гъэ Адыгэ лъэпкъ пшыналъэхэр. Налшык, 2004 гъэ Кабардинские народные сказки. Нальчик, 2004 гъэ Хэт нэхъ ин? Таурыхъхэр. Налшык, 2005 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25385.txt" }
КъардэнгъущI Зырамыку: Си зауэ гъуэгуанэхэм я зы Iыхьэ …Зэхэуэм нэхъ гъунэгъу дыкъыхуэхъуу дыкъакIуэурэ, зауитIым я кум дыкъыдэкIри, зэрыхъуари зэрыщIари дымыщIэу, мэзым дыкъыхэкIащ. Граждан гуэрхэм псынщIэ дыдэу къажыхьу, красноармейцхэр изу ису маршынэхэр зожэ. Дыплъэмэ, къалэ гуэри долъагъу. ГъукIэмыхъу Iэбубэчыррэ Зырамыкурэ. 1970 гъэ — Мор сыт къалэ? — жери, зы цIыхубз гуэрым еупщIащ командирыр. — Овруч къалэрщ, — къыжриIащ. — Товарищи, дыкъикIащ, окруженэм! — жиIащ Козел. Къалэм дыдыхьэри, комендатурэм декIуэлIащ. Абы щIэсхэр хуабжьу къытщыгуфIыкIащ. Арати, зы казармэ гуэрым дагъэкIуащ зыдгъэпсэхуну. Валериановыр щыIукIыжым, IэплIэ къысхуищIащ. Ар гу къабзэ зыкIуэцIылъ, цIыху хьэлэлу, ныбжьэгъу пэжу а зэман кIэщIым си гъусащ. УнащIэр зэхуэсыпIэ пунктым ягъакIуэрти, си Iэр къиубыдыжащ. «Алыхьым гущIэгъу къыпхуищI!» — жесIэри, дызэбгъэдэкIыжащ. ЗыгъэпсэхуакIуэ дыздагъэкIуа казармэм махуибл фIэкIа дыщымыIауэ, «Фронтым дыкIуэн хуейщ», — жаIэри, полуторкэкIэ сыхьэт зытIущкIэ дашащ инэрал лIыжь гуэрым деж. Инэралыжьыр куэду къытщыгуфIыкIыу къытIущIащ. Окруженэм дыкъызэрикIам щхьэкIэ фIыщIэ къытхуищIащ, дыкъызэрыришам щхьэкIэ ди командир Козел фIыщIэшхуэ къыхуищIри, пхъэ кIабурым илъу кIэрыщIа маузерыр иритын хуейуэ къыжриIащ. — Мыр генералырщ зезыхьэн хуейр. Мыр сэ къызэт, уэ си кIэрахъуэр зехьэ. Абы нэмыщI, автомати узот, — къыжриIащ. — Приказыр приказщ, ныбжьэгъу генерал! — жиIэри, и жагъуэ зэрыхъуар хэпщIыкIыу, маузерыр зыпщIэхихри иритащ. — Иджыпсту щыщIэдзауэ уи щIалэхэр си хъумакIуэу согъэув, уэ уначальник охранэщ! — жиIэри, лейтенант Козел и маузерым и хьэтыркIэ генералым и хъумакIуэ дыхъуащ. Фронтым дригъунэгъу пэтми, езы зэуапIэ дыдэм дыIуттэкъым. ДыздэщыIэ щIыпIэр Белорусым щыщ Буденновск къалэм пэгъунэгъут. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Дзэмыхь Къасболэт ДАХ-м и щIыхь дамыгъэр кърет. 2008 гъэ Парашютист 12-м цIыху плIырыплIу, сыхьэти 8 къэсыху зытхъуэжу, жэщми махуэми генералыжьыр дохъумэ. Щхьэ темылъу американскэ машинэ «Виллис» иIэщ, штабым ирикIуэу. Чехословакым я хьэлъэзешэ шы зытIущ нэмыцэм къытрахауэ иIэщи, гъуэрыгъуэу уанэ трыдигъалъхьэурэ, мэшэсри къеущыхь. — ПщIэгъуалэм уанэ схутелъхьэ! — къызжиIэри, уанэ хутеслъхьэри къыбгъэдэсшащ, згъэшэсыну. «Усыт лъэпкъ?» — жери къызэупщIащ. — Сыкъэбэрдейщ, — жесIащ. — «Калмыковщина?» Интересно! Сэ революцэм щыгъуэ Къалмыкъым сригъусащ, — жиIэри шым шэсащ. Зымахуэ гуэрым, си зыгъэпсэхугъуэти, унэм письмо къызотх: «Лажьэ сиIэкъым. Белорусым, Буденновск къалэм пэгъунэгъуу сыщыIэщ. Генералым и хъумакIуэхэм сахэтщ. Письмо къэфтхыну адрес убзыхуа сиIэкъым. Сэр щхьэкIэ фымыгузавэ». Письмор щимэ сщIыри, зэзгъэтIылъэкIащ. Унэм библиотекэ цIыкIу щIэтти, зы тхылъ къыхэсхауэ сеплъырт. Ди гъунэгъубзэу зауэшхуэ щIидзауэ екIуэкIырт. ХъумакIуэхэм щыщ зы щIалэ щхьэгъубжэм ныIулъадэри: — Генерал зовет! — жиIащ. Автоматыр къасщтэщ, щхьэгъубжэмкIэ сыкъыдэлъри, генералыр «Маузерыр» къихауэ иIыгъыу «Виллисым» ису, и хъумакIуэхэм щыщу машинапхэм красноармейцищ тетти, сыдэлъейри сахэуващ. Машинэр илъри дыжэурэ, къикIуэт ди дзэм яхэлъадэри къэувыIащ. «Къеблагъэ, тхьэмадэ Iумахуэ!» - жраIэ Зырамыку. 2003 гъэ — Сэ сокIуэ фяпэ ситу! Сэ сыкъаукIмэ, фэри фыкъаукIынщ, къикIуэт щыIэкъым! — жери кIиящ. — Сэ фыкъызэмыуэу, фяпэкIэ фыуэ! — къыджиIащ. Генералым щхьэпрыдгъэукIыу автоматхэр дгъэлъалъэу дежьащ. Дзэм заублэрэкIыжри, нэмыцэхэр ирахужьэжащ. А махуэм километр 12-кIэ бийр тхужри, зы къуажэ гуэрым дыкъыщыувыIащ. Зы жэщ-зы махуэкIэ абы дыдэсауэ, нэмыцэхэм зыкъызэрагъэпэщри, километр 15-кIэ дыкърагъэкIуэтащ. Иджы унэм къыщIэзна си письмом и хъыбарыр къэсIуэтэнщ. Мы хъыбарыр зауэм сыкъикIыжа нэужь, къызжаIэжауэ аращ. Си письмор иIыгъыу зы щIалэ сырыху къэкIуащ театрым, абы актрисэу щылажьэ си щхьэгъусэ Зулихъан деж. — Сэ уи лIым сригъусэу созауэ. Си хэкур Латвиерщ, ар нэмыцэхэм яубыдащ. Отпуск къызатар щызгъэкIуэн сиIэтэкъыми, уи лIым сыкъигъэкIуащ, «ди деж ущыIэнщ, абы зыщыбгъэпсэхунщ», жиIэри. Си щхьэгъусэ Зулихъан цIыху губзыгъэти, занщIэу егупсысащ: «Отпуск мобы къыщратакIэ, си лIым сыт щхьэкIэ кърамытарэ? Е езым сыт пощткIэ къыщIримыгъэхьар? Мыбы зыгуэр щыщыIэщ, мылицэм яжеIэн хуейщ», жиIэри. «Хъунщ, иджыпсту щIакхъуэ къэсхьынщи, узгъэшхэнщ», жиIэри, сабийм и Iэпэр иубыдри, карточкэкIэ щIакхъуэ къыщратымрэ мылицэмрэ зэбгъэдэтыпэти, жащ. «Си лIым и письмо иIыгъыу мыбы зыгуэр къэкIуащи, сигу ирихьыркъым», — щыжысIэм, начальникым мылицитI зыщIигъури жэкIэ, сэри я ужьым ситу, дыкъэжащ. АрщхьэкIэ щIалэр щIэсыжтэкъым. ПщIантIэри псыхъуэри къажыхьри щIалэр ягъуэтыжакъым», — жиIэжырт си щхьэгъусэ Зулихъан. …Генералым дызэхуишэсри: «Парашютистхэр фронтым фызогъакIуэ, сыфщогугъ къикIуэт фимыIэу фызэуэну!» — жиIащ. Ди командирым къыжриIащ: — Подполковник Цыганко и унафэм фыщIэтыну фызогъакIуэ. Гъуэгум нэгъуэщI зы взводи къыщыфхыхьэнущ. Фежьэ! Лейтенант Козел дришажьэри дежьащ. Куэдрэ дымыкIуэу лъэсыдзэу зы взвод къытхыхьащ. Зы сыхьэтрэ ныкъуэрэ гъуэгу зытетауэ, дыздэкIуэм дынэсащ, пщыхьэщхьэ хъуным куэд имыIэжу. Подполковник Цыганко и штабыр и гъусэу уэздыгъей жыгыщIэхэр щагъэкI мэз цIыкIум хэст. Ди командирым дызэрыхуагъэкIуар жриIащ. — Хъарзынэщ, ауэ мащIэщ фыкъигъэкIуар, — жиIащ подполковникым. — ФытIыси, фыщыс зэкIэ. Псори занщIэу дехуэхащ. — Гъэтэдж, мэзым ныхэш уи цIыхухэри гъэув! — къыжриIащ ди командирым зыгуэрым, дакъикъэ тIощI нэхъыбэ зыдмыгъэпсэхуауэ. Дыкъыхашри, мэзыбгъу дыдэм деж дагъэуващ. Подполковник Цыганко къыхэкIыу ди пащхьэм къыщиувэм: — Смирно! Товарищ подполковник, взвод построен! — жриIащ. — Вольно! — жиIащ подполковникым. Къытхэплъэри, дыщыкIуэм гъуэгум къыщытхыхьахэм ящыщ зы щIалэшхуэм бгъэдыхьэри и фоч СВТ -р къыIихри зэпиплъихьащ. — ФIыуэ уэрэ уи фочыр? — ФIы дыдэу, ныбжьэгъу подполковник! — жиIащ мыдрейм. — Хэт уи унэцIэр? — еупщIащ. — Дмитриев, ныбжьэгъу подполковник! — жиIащ. Фочыр иритыжащ. Пшапэр и фIэщу зэхэуэ пэтми, псори плъагъурт. Си пащхьэ дыдэм деж мащэ къыщытIауэ иIэт. Ар окопэ си гугъащ. Зауэ щIыпIэм дэнэ дежи окопэу зэхатIыхьт. — Къафшэ! — жиIащ подполковникым. Ди щIыбагъымкIэ, и блыпкъитIыр тIум яIыгъыу, и нэр щыпхыкIауэ уэздыгъей мэз гъэкIагъащIэм ди зы зауэлI къыхашри, мащэ тIам щхьэщагъэуващ. — Ныбжьэгъу красноармейцхэ, фэ фигъэзэуэну, езыр папиросышхуэ ефэу мызауэу уIэгъэщым щIэлъыну, мыбы и лъакъуэр езым иуIэжащ. Ар захуэ?! Военнэ полевой судым боец Микалюк и судыр укIкIэ ищIащ. Боец Дмитриевым иукIыну приказ изот!.. — щыжиIэм, Дмитриевыр къыхэбэкъукIащ стройм. Микалюк зыIыгъ щIалитIым ирагухри лъэгуажьэкIэ мащэм щхьэщагъэтIысхьащ. — Товарищи, не расстреливайте меня, я еще докажу… — жиIэ пэтми, Дмитриевыр абы и щхьэпхэтIыгум еуэри, Микалюк мащэм иукIуриящ. — Взводыр мэзым хэшыж, нэху здэщым зауэм фыIухьэнущ! — жиIэри, подполковникыр IукIыжащ. Дэ мэзым дыкъыхашыжащ. — Пщыхьэщхьэшхэр къеIыфх, фышхи, фыгъуэлъ, нэху здэщым зауэм дыIухьэнущ! — жиIащ лейтенант Козел. Пщыхьэщхьэшхэр къеIысхри, ерагъкIэ сышхащ, ауэ нэху щыху сыжеякъым. ЗэуапIэр зэрытпэжыжьэр лъэбакъуэ щэ ныкъуэт. ЛъэныкъуитIми я фоч гъэуэныр щагъэта щхьэкIэ, нэмыцэр зэпымыууэ минометкIэ къауэрт, фронтым Iулъхэм къахэуэу, зы дакъикъэ имыгъэзагъэу, имыгъэжейуэ. Нэхущым дыкъыщагъэлъэтщ, епIэщIэкIыу дагъашхэри, фронтым дыIухьащ. Окопэ къэтIа хуэзар абы игъуэлъхьащ. Окопэ хуэмызам псынщIэу къатIащ. Сэ окопэ къэтIа хьэзыр сыхуэзэри сигъуэлъхьащ. ЩIэчэ имыIэу езыхэр къауэм, дэри дыуэжурэ, махуэр апхуэдэу кIуащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25387.txt" }
КъардэнгъущI Зырамыку: Адыгэ уэрэдыжьхэр лъэпкъым и псэщ, и тхыдэщ, и акъылщ «Адыгэ IуэрыIуатэм и тхьэмадэ, ди лъэпкъым и тхыдэр, щэнхабзэр джынымкIэ, уэрэдыжьхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ зэхуэхьэсыжынымкIэ, ахэр хъумэнымкIэ, зэрыхуэфащэкIэ зэгъэпэщыжауэ цIыхубэм я пащхьэ илъхьэнымкIэ IуэхугъуэфI куэд зэфIэзыха КъардэнгъущI Зырамыку и гъащIэмрэ и лэжьыгъэ купщIафIэхэмрэ куэд щыгъуазэщ, ар щIэрыщIэу фэдгъэцIыхужынуи яужь диткъым. Ауэ щIэныгъэлI щыпкъэм и гъащIэм зэ дриплъэжмэ тфIэтэмэму, и махуэшхуэм ирихьэлIэу абы упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ», — щитхат «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Жыласэ Маритэ 2008 гъэм Зырамыку дищIа интервьюм и пэщIэдзэм. ГъащIэм и фэбжь куэд къызытехуа цIыхум, лIыгъэ хэлъу а псом пхыкIыфа адыгэлI щыпкъэм и Iуэху еплъыкIэхэм, и гупсысэхэм, и нэгу щIэкIахэм дыщызыгъэгъуазэ тхыгъэ куэд щыIэщ. Ауэ иужьрейуэ ди газетым «къызэрепсэлъар» мыращи, тыдодзэ, гъащIэ кIыхь къэзыгъэщIам илъэгъуари, игъэвари, илэжьари езы дыдэм и псалъэкIэ къедгъэIуэтэжыныр захуэу къыдолъытэри. Зырамыку и юбилейр Музыкэ театрым щагъэлъапIэ. Абы къыбгъэдэсщ щIэныгъэлI Нало Зауррэ уэрэдус Щомахуэ Хьэсэнбийрэ. 2008 гъэ — Зырамыку, уи гъащIэ купщIафIэр адыгэу зызылъытэж дэтхэнэм и дежкIи щапхъэщ. Уи илъэс 90 гъуэгуанэм ущриплъэжкIэ, абы и сыт хуэдэ пычыгъуэхэра нэхъ щIэх-щIэхыурэ уи нэгу къыщIэувэжыр? — Илъэс 90-р — ар цIыху гъащIэм и дежкIэ мащIэкъым. СызоплъэкIыжри согупсыс: «Сыту пIэрэ а илъэсхэм къриубыдэу си лъэпкъым, си лъахэм, цIыхухэм сэбэп яхуэхъуну злэжьыфар? Псори зыхузэфIэкI щыIэкъым, ауэ сызыпэрыта IэнатIэм щызлэжьыфыну сыт къэнар?..» IуэрыIуатэ и лъэныкъуэкIэ сэ куэд къызэхъулIауэ къысщохъуж, сыту жыпIэмэ лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуэгъэпса си илъэсхэрщ нобэм сыкъэзыхьэсар, згъэвыну Тхьэшхуэм къысхуиуха гугъуехьхэмрэ гуауэхэмрэ сакъелу. ГъащIэр Iыхьэ куэду зэхэухуэна къэхъугъэщ. Абы хэтщ гур щыз зыщI, дэрэжэгъуэрэ гукъыдэжрэ къозыт Iуэхугъуэхэри, уи лъэр щIэзыуд, афIэкIа умыпсэужыфыну къыпщызыгъэхъу лъэхъэнэхэри. Сабиигъуэ тынш сиIауэ схужыIэнукъым. Сэ сыкъалъхуну си адэ-анэм ягу къыщыкIыжар езыхэр жьыхуегъэзэкI хъуа нэужьщ. Си анэм быни 8 къилъхури тIысыжат. Абы иужькIэ илъэси 6 дэкIри сэ дунейм сыкъытехьащ. Нэхъыжьхэм мызэ-мытIэу жаIэжу зэхэсхат абы теухуа мы хъыбар цIыкIур. Си шыпхъу нэхъыжь Хьэвэ джэгум хэту «дэлъху цIыкIу къыпхуалъхуащ» щыжраIам, гъуэгыу къыщIэпхъуэжри унэм къэкIуэжауэ щытащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, Хьэвэ хъыджэбз дахэу, Iущу щытащ, ауэ абы щыгъуэм щIэгъар зыми къагурыIуатэкъым: гуфIэщат хьэмэрэ и жагъуащэ хъуат дэлъху нэхъыщIэ къызэрыхуалъхуар. Сэ езым Хьэвэ сщIэжыркъым. Абы и закъуэкъым — си адэ ПIатIури, си къуэш нэхъыжьхэу Мухьэжыррэ Исуфри. Сэ мазих фIэкIа сымыхъуауэ Къатхъэн Назир и дзэм хэт си къуэш нэхъыжь Мышэ, хуабэ уз къеуэлIауэ, жэщу шыплIэкIэ ди деж къахьыжауэ щытащ. Ди унагъуэм ис псори а узыфэ емынэм зэтрицIалэри, лъэрыщIыкIыу пIэм хэгъуэлъхьат. Зы тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ ди унэм хьэди 4 ирахауэ щытащ. Уз бзаджэм бынунагъуэшхуэм ди адэр тщхьэщичащ, Iэрамэу зэхэт удз гъэгъам хэIэбэу нэхъ дахэ дыдэр къызэрыхачым ещхьу, зи ишэгъуэ пщащэ Хьэвэ тхичащ, зи щIалэгъуэхэу, дунейр зи щIэщыгъуэхэу Мухьэжыррэ Исуфри здихьри тхэкIыжащ… Зэманыр цIыхум еплъыркъым — езым зыхуейр ещIэ. Узым имыхьу къелахэр дыпсэун хуейти, гъащIэм адэкIэ пытщащ. Узыр къытхэ- зыхьа Мышэ хъужри, Къатхъэным и дзэм хыхьэжащ. Ди анэмрэ цIыхухъу нэхъыжьу унэм къина си къуэш Муридрэ нэхъыщIэхэу Чэниуат, Мухьэмэд, Бэчмырзэ, сэ ди ныбэ мыныкъуэу, дил къимыщу дызэрагъэпсэуным яужь итащ. Хуэмурэ дунейри нэхъыфI хъужащ. Си шыпхъур унагъуэ ихьащ, си къуэшхэм IэщIагъэ, щIэныгъэ зрагъэгъуэтащ. Налшык ЛУГ-м щеджауэ къэзыгъэзэжа Мурид къуажэ советым и унафэщIу ягъэуващ. Адрейхэми ящIэн, яшхын ягъуэту псэу хъуащ. Быным я нэхъыщIэ сэ Бэчмырзэ сыдэIэпыкъуурэ, унагъуэ мэкъумэшыр къетхьэлIэрт. ЩывэкIэ — сышауэт, зыщигъэпсэхукIэ — сышыхъуэт. Бэчмырзэ зэпымыууэ уэрэд жиIэрт. Апхуэдиз уэрэд щызригъэщIари сщIэртэкъым, ауэ ахэр зыкъэмынэ си гум къинащ сэ. Псори дахэт, гъэщIэгъуэнт, гуфIэгъуэт си дежкIэ, арщхьэкIэ илъэс 11 фIэкIа сымыхъуауэ, дуней нэхур къыстеункIыфIащ — си анэ дахэр дунейм ехыжащ. Ар къыщыхъуар 1929 гъэм и дыгъэгъазэрт. Мурид абы щыгъуэм Налшык щыпсэурт, сельхозснабым и унафэщIу лажьэрт. Си анэ тхьэмыщкIэм и дауэдапщэр зэрызэфIэкIыу, абы къалэм сишащ. Куэд дэмыкIыуи езыр щеджауэ щыта ЛУГ-м и студент сыхъуащ. Абы зы илъэскIэ сыщыIэри итIанэ къуажэм сашэжащ, абы дэт школми илъэси 6-кIэ сыщеджэжащ. ИужькIэ учетчикыу колхозым щылэжьэн щIэздзащ. — Зырамыку, колхозхэт щIалэ ныбжьыщIэр Луначарскэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт ГИТИС-м узэрыщIэтIысхьамрэ студент илъэсхэр зэрепхьэкIамрэ яфIэхьэлэмэт хъунут «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм. — 1935 гъэм республикэм IуэхукIэ къэкIуауэ щытащ артист цIэрыIуэ Ефремовыр зи пашэ хьэщIэ гуп. Абыхэм я къалэнт театр гъуазджэм хурагъэджэну зэчий зыбгъэдэлъ адыгэ, балъкъэр щIалэгъуалэ къыхахыу Москва яшэну. Шортэн Аскэрбий и гъусэу ахэр Псыгуэнсу ныщыкIуэм, парткому къуажэм нэзыгъэзэжа си къуэш Мурид сригъашэри, хьэщIэхэм я пащхьэ сригъэуващ. «Уэрэд пщIэмэ, зы къыджеIэт», — жиIэри зыкъысхуигъэзат Шортэным. Iуэхур зыIутыр сымыщIэми, сэ сфIэфI дыдэу абыхэм яжесIащ «Нэ къуэлэн» уэрэдыр. Ар си къуэшым жиIэу куэдрэ зэхэсхауэ фIы дыдэу сщIэрт. Гурэ псэкIэ сызытхьэкъу уэрэдыр жыIэн сыуха нэужь, ахэр къызэупщIащ Москва сыкIуэу артист IэщIагъэм сыхуеджэну сыхуейрэ сыхуэмейрэ. Дауи, сыхуейт. Апхуэдэу Театр гъуазджэмкIэ къэрал институтым и студент сыхъуауэ щытащ. ПцIы хэмылъу, япэ илъэсхэр хуабжьу къыстехьэлъащ. Адыгэ гупу Москва дыкIуар цIыху 33-рэ дыхъурти, сэ нэхъ щIэныгъэншэрэ нэхъ щIалэрэ яхэттэкъым. Сэ къэзухар класси 6 къудейт, си гъусэхэр псори щIэныгъэ зиIэ, техникум къэзыуха, егъэджакIуэу е нэгъуэщI IэщIагъэхэм ирилэжьахэу апхуэдэхэт. Ауэ си псэм фIэфI IэщIагъэр зэзгъэгъуэтыным сыхуэерыщти, япэ курсым абыхэм сакIэлъеIащ, етIуанэм салъэщIыхьащ, ещанэм сатекIуащ. Иужьрей илъэситIым Сталиным и цIэкIэ щыIэ стипендиер къысхуагъэфащэри, ар къэсхьу седжащ. СощIэж: а илъэсхэм ди егъэджакIуэу щыта Рахманиновэ Ольгэ мызэ-мытIэу къызжиIащ ГИТИС-р къэзгъанэу Чайковскэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал консерваторэм си еджэным щыпысщэну. «Зырамыку, уэ макъ дахэ уиIэщ, узыхуеджэн хуейри уэрэджыIакIуэ IэщIагъэращ. Консерваторэм экзаменыншэу укъащтэнущ. Абы кIуэ», — тригъэчыныхьырт егъэджакIуэм. АрщхьэкIэ сытегушхуауэ щытакъым икIи сыхущIегъуэжакъым. Адыгэ уэрэдыр консерваторэ къэбухакIэ нэхъ лейуэ пхужыIэнукъым. Ди уэрэдыжьхэр — ахэр ди тхыдэщ, ди блэкIарщ, ди нобэрщ. Лъэпкъым и псэр, и бэуэкIэр, псэукIэр умыщIэмэ, ахэр екIуу пхужыIэнукъым. Арати, «нотэ», «макъамэ грамотэ» жыхуаIэхэр сымыщIэу сыкъэнащ. Сыщеджэ илъэсхэм стхауэ щытащ япэ адыгэ драмэ «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ». 1940 гъэм диплом плъыжькIэ ГИТИС-р къэзухри, ди щIыналъэм сыкъэкIуэжащ. Сэ стха драмэращ къэбэрдей труппэм Iупхъуэр къызэрызэIуихар. — Илъэси 5-кIэ Москва щеджэу къэзыгъэзэжа артист гупым зэфIэкIрэ щIэныгъэу вбгъэдэлъыр къэвгъэлъэгъуэну фыхунэмыс щIыкIэ Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. А лыгъей илъэсхэми гузэвэгъуэ, гугъуехь куэд пшэчащ, Зырамыку. Апхуэдэхэщ бийм фыкъыщиухъуреихьу псэзэпылъхьэпIэм фыкъыщикIыжари, нэмыцэ гъэрэщым ущихуам лIыгъэ пхэлъу укъызэрыщIэпхъуэжыфари, абы иужькIэ «кхъузанэ» псоми ущIагъэкIыу фочыр дзыхь къыпхуащIыжу фронтым узэрагъэкIуэжари, Хэкур бий бзаджэм щыпхъумэу уIэгъэ хьэлъэ узэрыхъуари, нэгъуэщIхэри. Апхуэдиз гугъуехь зи псэм телъа уэ пхузэфIэкIащ лъэ быдэкIэ лъэпкъ гъуазджэм ухэувэжын, абы фIыгъуэ куэд къыхуэпхьын. — Хэку зауэшхуэм и илъэсхэр мыкIуэдыжын уIэгъэу си гум телъхэм ящыщщ. Ахэр куэд мэхъу, апхуэдиз гузэвэгъуэ си псэм тезыгъэлъа а илъэсхэр адэкIэ си нэгу щIэкIахэм ящыщу нэхъ шэчыгъуафIэхэм яхызобжэ… Зауэ нэужьым си унагъуэ сыкъихьэжащ. Сэ абы къыщызэжьэрт си щхьэгъусэ Зулихъанрэ ди щIалэ цIыкIу Николайрэ. Зулихъан сэрэ Москва дыщызэдеджауэ ари артистт. Лъэпощхьэпо зыбжанэ къызэднэкIа нэужь, театрым лэжьэн щыщIэддзэжащ. АрщхьэкIэ абы куэдрэ сыщыIакъым. Си щхьэгъусэр сымаджэ хъуащ, ар дунейм ехыжа нэужь, 1949 гъэм театрым сыкъыхэкIри, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым сыкIуауэ щытащ. Абы и пэкIэ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэзыхьэсыну экспедицэм сыхэтащ. Ди щIыналъэм и зы къуажи жыли къэдмыгъанэу къызэхэткIухьри, цIыхубэ IуэрыIуатэм щыщу куэд къетхьэлIауэ щытащ. Апхуэдэу адыгэ IуэрыIуатэм куууэ сыхыхьащ. АдэкIэ си гъащIэр абы и зэхуэхьэсынымрэ джынымрэ теухуауэ сыпсэуащ. Сызыпэрыхьа IэнатIэр сфIэхьэлэмэту, абы пыщIа псоми сыдахьэхыу илъэс куэдкIэ сыщылэжьащ институтым. Хуабжьу сыгурыхуэти, зэ нэхъ мыхъуми зэхэсха уэрэдыр е хъыбарыр си гум къинэрт. Ахэр стхыжырт, зэхэздзырт, зджырт, тхылъу къыдэзгъэкIыжырт. Апхуэдэ IуэхухэмкIэ щIэгъэкъуэн къысхуэхъуауэ щытащ Лъостэн Владимир. Институтым и унафэщIу щыщыта илъэсхэм абы и фIыгъэкIэ Бэрэгъун Владимир сэрэ дызэгъусэу адыгэ уэрэдыжьхэр зэрыт тхылъышхуэ къыдэдгъэкIауэ щытащ. Апхуэдэ лэжьыгъэм иужькIи пысщащ. Ди щIыпIэм къыщысхудагъэкIын щамыди къэхъуащ. Абы щыгъуэм Адыгейм щыщ ди къуэшхэр сэбэп къысхуэхъури, Мейкъуапэ къыщыдэзгъэкIауэ щытащ адыгэ уэрэдыжьхэмрэ макъамэхэмрэ зэрыт тхылъхэр. Апхуэдэу нарт эпосыр зэхуэхьэсыжынми селэжьащ. А лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, си щIэныгъэми хэзгъэхъуащ. 1952 — 1956 гъэхэм сэ сыщеджащ Къэбэрдей пединститутым филологиемкIэ и къудамэм. Лэжьыгъэм хузиIэ гукъыдэжымрэ щIэныгъэмрэ зы сщIыри, ехъулIэныгъэфIхэр къысхуихьауэ щытащ. Апхуэдэу 1957 гъэм, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур щагъэлъапIэ илъэсым, радиом щрагъэкIуэкI зэпеуэхэм ящыщ зым уэрэд жыIэнымкIэ япэ увыпIэр къыщысхьат. «Сэрмахуэ», «Нартыжь уэрэд» жыхуиIэхэр апхуэдизу цIыхухэм ягу нэсати, пластинкэу ирагъэтхауэ щытащ. Уэрэд жыIэным нэхъыбэу сыщыхыхьар а лъэхъэнэращ, армыхъумэ абы лейуэ зыщIыпIи сыщыхуеджакъым. Апхуэдэурэ гъащIэр кIуащ. СызэригугъэмкIэ, цIыхухэм сэбэп сахуэхъуу, лэжьыгъэфI гуэрхэр си лъэпкъым хуэсщIэу сыкъэгъуэгурыкIуащ. — Зырамыку, цIыху гъащIэм и купщIэу къэплъытэр сыт? — Си гъащIэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэ дыдэр сыкъэзылъхуа си лъэпкъым сыхуэлажьэу зэресхьэкIарщ. ГъащIэ кIыхь къызэрызгъэщIам теухуауэ жысIэнуращ. Сэ пасэрей губзыгъэжь гуэрым жиIа псалъэ Iущхэм сызэрытетыным сыхущIэкъуащ. Мыращ абы жиIар: Жьэр гъэкъабзэ, Бзэр гъэIэсэ, ПцIы умыупс, Псэм удэмылажьэ, Жьыгъэм зумыгъэхь, Хьэм уемытхьэкъу, Бзаджэм уемыуалIэ, ЛIыгъэм уримыбий. Жагъуэгъуу сиIам нэхърэ ныбжьэгъуфIу сиIахэр минкIэ нэхъыбэт. Абыхэм гукъеуэми гузэвэгъуэми сыкъыхашащ. Гугъуехь псори къыздигъэпсынщIащ щхьэгъусэ схуэхъужа Жанпагуэ. Ди щIалэхэу Николаи, Мартини, БетIали гъащIэ мащIэ защIэт. Я ахърэтыр нэху Тхьэм ищI. Дэ тIур нобэ дагъэгушхуэ абыхэм къащIэна бынхэм. Я ехъулIэныгъэхэмкIэ ди лъэр жан ящI, зэманым ткIыбжь ищIа гъащIэр тхуагъэIэфI. Куэд зэпысчащ сэ. Вэныжь къургъакъым кIуэцIрыкI гъуэгу нашэкъашэм тет хьэмкIэшыгум и гупкIэм сису, сыдрихуей-сыкърихухыу си гъащIэр есхьэкIа пэтми, абы гуфIэгъуи нэщхъеягъуэ куэди сыщыIууами, сынасыпыфIэу зызолъытэжри, Алыхьым шыкур хузощI, лэжьыгъэфI гуэрхэр Хэкум хуэзлэжьыфыну гъащIэ къызэрызитамкIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25393.txt" }
Сыт гъащIэм щынэхъыщхьэр? Си сабиигъуэм щхьэхуэу утепсэлъыхь хъунуми, абы лейуэ зэман щIытебгъэкIуэдэн щыIэкъым, ар симыIэххауэ къэплъытэми хъуну апхуэдэщи. Мазэ бжыгъэ фIэкIа мыхъуу си адэр дунейм ехыжщ, илъэс 11 сыщыхъум абы си анэр кIэлъыкIуэри, дунейр къыстеункIыфIат. Си къуэш нэхъыжь Мурид Тхьэм насыпу къызитыжат. Уэлэхьи, сримыгъаджэу скIэрымыкIа. Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIу жыхуаIэу Налшык дэтам сыкъигъакIуэри зы илъэскIэ сыщеджауэ, гъэмахуэм сыкIуэжащ. Школ щIэтIысхьэгъуэр къыщысым, си ныбжьэгъухэм: Акъсырэ Залымхъан (иужькIэ драматургышхуэ хъуам), Къущхьэ Мухьэрбий (Бессарабиер Советхэм къыщаубыдыжым хэкIуэдащ), Болэ Мурат (артистышхуэ къызыхэкIам), Унэгъэс Мурадин (Хэку зауэшхуэм хэ-кIуэдащ) сымэ сыткIэ ухуей абы жаIэри сыкъагъэделэри, ЛУГ-м сахуэкIуэжын сымыдэу, къуажэм сыкъыдэнэжащ. Уэлэхьи, ар мыхъун, жиIэри Мурид сишэри сыщIигъэтIысхьащ Пятигорск дэт рабфакым. Гъэр гъаблэт, шхын щхьэкIэ сыдэлIыхьырти, сыкъэкIуэжащ. КъБР-м и Тхьэмадэ Къанокъуэ Арсен Зырамыку и пшыхьым кърихьэлIащ. 2008 1935 гъэм артисту ирагъэджэну адыгэ, балъкъэр гупхэр къыхахырт. Адыгэ гупыр езыгъэджэну Ефремовыр къэкIуауэ, Шортэн Аскэрбий и гъусэу, къуажэхэр къакIухьырт, ягъэ-кIуэнухэр къыхахыу. Си къуэш Мурид парткомым и унафэщIу лажьэрти, хьэщIэхэр Псыгуэнсу щынэсым, сригъашэри къэкIуахэм я пащхьэ сригъэуващ. «Уэрэд пщIэмэ, зы уэрэд къыджеIэт, уэ артист ухъунрэ умыхъунрэ къэтщIэнщ», — жиIащ Шортэным. СощIэж «Нэ къуэлэн» уэрэдыр яжесIауэ. ИтIанэщ къыщызэупщIар, Москва сыкIуэу артисту седжэну сфIэфIрэ сфIэмыфIрэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Луначарский А. В. и цIэр зэрихьэу Москва дэт ГИТИС-м сыкъыщыхутащ илъэс 17-м ситу. Москва дыкIуа ныбжьыщIэ 33-м сэ нэхъ щIэныгъэншэрэ нэхъ щIалэрэ яхэттэкъым. Сэ къэзухар класси 6-т, ари къуажэ еджапIэу. Абы къыхэкIыу гугъу сехьу седжэурэ, сакIэлъекъуурэ, етIуанэ илъэсым сащIыхьащ, ещанэрейр фIы дыдэу къызэрызухам къыхэкIыу, Сталиным и стипендиер къысхуагъэфащэри, еплIанэ, етхуанэ гъэ еджэгъуэхэм ар къызату ГИТИС-р къэзухащ. «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» абы щыстхри щыдгъэуващ. 1940 гъэм еджапIэр къэдухыу дыкъыщыкIуэжам, адыгэ труппэм и Iупхъуэр абыкIэщ зэрызэIуихар. Зырамыку сыщыбгъэдэса махуэр щIыIэ дыдэт. Езыми зыхуэмыгъэхуэбэжу щIыIэм исырт, и диван щабэм зэрисым хуэдэу. И щхьэр щIэх-щIэхыурэ фIиубыдыкIырт, «ЩыщIыIэм деж нэхъ зыкъызегъащIэ си щхьэм хэлъ шэм» жиIэурэ. — Театрым мази 5 фIэкI дыщымылэжьауэ, гупышхуэ дыхашри дзэ къулыкъум дашащ. ПарашюткIэ къелъэхэм, десантхэм сащыщу сыкъыщыхутащ Киев дзэ округ щхьэхуэм. Си гъусэт артисту къыздеджа, Къанщобийуэ джэгуа Къанымгъуэт Сэрэбий (Нартан щыщт), Ислъэмей щыщу Абей (Мухьэмэд си гугъэжщ и цIэр), балъкъэр театрым щыджэгу Джантуев Анзор (Кулиев Къайсын ефIэкI усакIуэт ар), гундэлэндэс балъкъэр щIалэ Таукенов Махъты. Ахэр псори зауэм хэкIуэдащ, сэ щхьэмыгъуэжьу сыкъагъанэри… 1995 гъэ Дызауэу дыкъикIуэтурэ, фокIадэм и 19-м Полтавэ, и 20-м Киев яубыдри, дзэуэ мелуани 3-м дыкъаухъуреихьауэ къыщIэкIащ. Генерал Кирпанос зиукIыжащ. Сэ си лъакъуэр уIэгъэу, къысхуэмыкIухьу, си командирыр си гъусэу гъэр дыхъури, Кременчуг къалэм дахуащ. Абы ист Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ щIытI къэзытIыну ягъэкIуа псори, ди къуажэрэ Зэрэгъыжрэ щыщу цIыху 60-м нэси яхэту. Абы щыщIидзащ си дежкIэ гъэрым и гугъуехь псор. Ауэ насып сиIэти, ди къуажэ симыгъусэу зы лагери сихуакъым. Украинэм, Славутэ къалэ цIыкIум щыIэ лагерым дису, пхъэ зэгуэх заводым щIалэ 25-рэ дахуурэ дыщагъэлажьэрт. Абы гъэрхэр къишэу эшалон къэкIуа нэужь, фашист комендантымрэ Одессэ къалэм щыщу, совет цIыхуу щытауэ, зы хьэбыршыбыр гуэррэ исти, а тIур куэбжэм деж увырти, гъэру дыхьэу хъуам журту хэтыр Одессэ щыщым къыхишырт. А журтхэр щIыунэм щIахуэрти, жэщыбг пщIондэ щаIыгът, жэщым дашырти яукIырт. Иджы, лэжьакIуэ дыщыIауэ, ди гупыр дыкъыздахужым, а тIур — комендантымрэ одесситымрэ — куэбжэм щытт. Ахэр зэрыслъагъуу, щIыIэу сигу къэкIащ: «Сызэрыкоммунистыр зыгуэрым иIуэтауэ, мо тIур зэжьэр сэращ», — жысIэри. Куэбжэ дыхьэжыпIэм дызэрынэсу, одесситым и Iэпэр къысхуищIри: «КъыхэкI мыдэ!» — жиIащ. «Аращ, кIэ сиIэщ», — сигукIэ жысIэри сыкъыхэкIащ, гупыр дыхьэжащ. — Ужуртщ! — жиIащ одесситым. — Хьэуэ, сэ Кавказым сыщыщщ, сыкъэбэрдейщ, — жысIащ. — ПцIы уоупс, «кукуруза» жыIэт! — Кукурузэ. — Мыр журтщ, — жриIащ комендантым. Къумахуэ Мухьэдин зауэм хэтахэм йохъуэхъу. 2008 гъэ Комендантым и кIэрахъуэр кърихри, срихужьащ, щIыунэм сыщIидзэну. Уи ажал къэмысамэ аракъэ, а дакъикъэм нэгъуэщI гупи блэ-кIыжырти, зыгуэр къыхэжауэ, адыгэбзэкIэ кIийуэрэ къыткIэлъожэ: — Мухьэмэд, уздахур дэнэ? — жиIэурэ. Комендантыр къэувыIэри, къеупщIащ: — Мыр хэт хъуну? — жиIэри. — Мыр си цIыхугъэщ, къэбэрдейщ, — жиIащ. — Фызэпсалъэт, — жиIащ комендантым. — Дэнэ мыбы уздахур, Мухьэмэд? — къызэупщIащ. — Сэ сы-Мухьэмэдкъым, сы-Зырамыкущ, Мыхьэмэд сришынэхъыщIэщ, — жысIащ. — Сэ Мухьэмэд мыIэрысэ къесту щытащ, ар заготовителу консерв заводым щыщыIам, — жиIащ. — Хэтхэ узыщыщыр? – сеупщIащ. — Сокъурхэ, сы-Жэмтхьэлэщ, — жиIэ пэтрэ къызыхэжа гупыр къэзыхуж сэлэтыр къэсщ, къеуэри, и гупым хихуэжащ. Сэ комендантыр кIэрахъуэ лъэдакъэкIэ къызэуэри, сыкърихужьэжащ. Лагерыр тIууэ зэпрыгъэлыкIати, Сокъурыр зыхэт гупыр адэкIэ дыхьэжащ, сэ дызэрысым сыкъыдыхьэжащ. Абы фIэкIа а Сокъурым дэрэ дызэрылъагъужакъым, си гъащIэ псокIи IэфIу сигу къыхуинауэ илъынущ ажалым сыкъызэрыригъэлар, ахърэтыфI къритыну Тхьэм солъэIу. Щэ сыкъыщIэпхъуэжащ. Си насып къикIри, ещанэм фронтыр къызэпызупщIри, ди дзэм сакъыхыхьэжащ. Кхъузанэ псоми срагъэкIа нэужь, фоч къызатыжри, зэуакIуэ сагъэкIуэжащ. Дызауэурэ Бендер быдапIэр къыщытщтэм, ещанэу уIэгъэ хьэлъэ сыхъуащ. Саратов къалэ уIэгъэщым мазэ пщыкIузрэ ныкъуэкIэ сыщIэлъауэ, ныкъуэдыкъуагъкIэ етIуанэ гупым сыхатхэри, сыкъаутIыпщыжащ. Иджыри си щхьэм хэлъщ абы щыгъуэ къыстехуа шэр. Илъэс зыбжанэкIэ нэгъуэщI лэжьапIэ зэрыIутар хэбгъэкIыжмэ, 1949 гъэм щыщIэдзауэ и къарум къихьу и лъэр Пушкиным и уэрамым тет щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым нихьэсыфыху, Зырамыку а зы IэнатIэрщ зыIутар. Абы щыгъуэми, гъэщIэгъуэныракъэ, тхыдэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, академик хъуфыну щыта Зырамыку нэгъуэщI Iуэхущ зэрихуар. ИкIи абы щIэныгъэцIэ къыхуимыхьами, институтым и зы къудамэм ищIэфынум хуэдиз хузэфIэкIауэ къыщIэкIащ. — Махуэ 50-кIэ къыщыткIухь щыIэу, Правительствэм и унафэкIэ, машинэщIэ дису драгъажьэурэ Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми, Шапсыгъми дахэтащ, зы къуажэм махуитI-щыкIэ дыщыдэс къэхъуу, абы щыгъуэми дыщымышхэр нэхъыбэу. Зауэ нэужьти, цIыхухэм я унагъуэм ирагъэшхын яIэтэкъым, дауэ зыгуэрым зытебгъэхьэлъэнт. Мэздэгу къыщыщIэздзащ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыныр. Ар 1949 гъэм гъатхэпэм и 3-рат. Сигу къокIыж абы щыгъуэ сыздэщыIа зы унагъуэ. ЦIыхубзри гузэвагъэнщ, хуэкIэ-бжьэкIэ защIэу лы тхуигъэжьащ. Шортэн Аскэрбий сэрэ докъу, махуэ псом афIэкIа дымышхэнкIэ хъунущи. Унэм дыкъыщIэкIыжа нэужь, Аскэрбий къэпсалъэри: «ЗинэкIэ къамылъхуа, лым сишхащ армыхъумэ, езыр сшхакъым», — жиIат. Мис апхуэдэу, дыщымэжалIэр нэхъыбэу, кIагуэ дытакIэ Мэздэгу жьыбгъэм дыхэту, пшыналъэхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ зэхуэтхьэсащ. Адыгэм и лъэ щиувэ къэдгъэнакъым IуэрыIуатэр къызэщIэткъуэжын папщIэ… Москва деджэу дыщыщыIэм, илъэсиплIкIэ сыкIэлъыплъауэ, етхуанэрей гъэм къэсшат Къурэлей Зулихъан, Зэрэгъыжым щыщу. Мазих хъууэ щIалэ цIыкIу диIэу дзэм сраджати, Зулихъан театрым хэкIщ, кIуэжри, и нысэгъухэм ябгъэдэсащ илъэситхуми. Сымаджэ хъуауэ сыкъэкIуэжри операцэ ящIащ, ауэ зэрылIыкIар аракъым. И анэ бгъэдэсыр щхьэукъуауэ, Зулихъан псы ефэри, и кIэтIийм зиIуэнтIащ. ЕтIуанэу операцэ щащIым, и гур пэлъэщыжакъым. Абы сэрэ зэдэдгъуэтауэ щыта Николай (сурэтыр сегъэлъагъу) балигъ хъуауэ Тырныауз щаукIащ. Жанпагуэрэ сэрэ дыдей Мартин илъэс 40 и ныбжьу лышхым ихьащ, БетIал (КIуащ БетIал езым и цIэр къыфIищыжат абы) сыщылэжьа институтым и бжэIупэм афиянафэ гуэр сэкIэ къыщепыджри иукIащ. Къуэрылъху щIалэ цIыкIуитI сиIати, зыр псым итхьэлащ, зыр зыгъэбэяу фызыжьым лажьэ имыIэу хуэтхьауэ зыгуэр къыщыщIри лIащ. Си нысэ курытым (ар урысщ) и хъыджэбзитIыр хъарзынэу иригъэджащ. Ахэращ ди гурыфIыгъуэр. Зырамыку лъэмыкIыж хъууэ унэм къыщыщIэтIысхьэжарауэ къысщохъу гуауэм щеувэлIэпар. Абы и насыпти, и лэжьыгъэм и мыхьэнэри къызыгурыIуэ, и шхынкIэ къыхуэсакъ, зыгъэтынш щхьэгъусэ, Жанпагуэ, иIэт. — Лъэпкъ зырызыххэхэм фIэкI ямыIэ лэжьыгъэ зэдгъэуIуат Бэрэгъун Владимир (ди пленкэм тету къызэхуэтхьэса уэрэдыжьхэр нотэкIэ зытхыжа Владимир и фэм икIар, абы хузэфIэкIам и мыхьэнэр къызэрыпIуэтэн псалъэ къэгъуэтыгъуейщ), ГъукIэмыхъу Iэубэчыр, Иуаныкъуэ Нурбий, Кабанов Андрей, Гъут Iэдэм, Нало Заур, ХьэIупэ ДжэбрэIил, антологием и редактор нэхъыщхьэу щыта профессор Гиппиус Евгений сымэ дызэгъусэу. «Адыгские песни и инструментальные наигрыши» тхылъ зыбжанэу зэхэтым и япэ томыр «Советский композитор» тхылъ тедзапIэм 1980 гъэм, етIуанэр — 1981 гъэхэм томитIу къыщыдэкIащ. ЕплIанэмрэ етхуанэмрэ тхылъ тедзапIэм къыщIэнауэ щIэлъщ, абы текIуэдэну ахъшэм щхьэкIэ. Гукъеуэшхуэщ ар си дежкIэ. Дауи жыIэ, мы антологием и япэ тхылъыр IэкIэ 8-рэ къистхыкIыжащ, профессор Гиппиус дагъуэ гуэрхэр хуищIурэ, ещанэр — 3, етхуанэр — 5. Дауэ къыпщыхъурэ ар? Сэ зэхуэсхьэса уэрэдхэм, Сокъур Валерэ къыздэIэпыкъури, 102-рэ къыхэтхащ, уэрэдхэм я псалъэхэмрэ я хъыбархэмрэ зэгъусэу зы тхылъ щIын хуейуэ. Си закъуэу зеспщытыну уасэм сыпэлъэщакъым. «Андемыркъан» тхылъым щхьэкIэ сом 1800-рэ гонорару къызатауэ аращ, а зы тхылъым щыщу 100 дэщIыгъуу. А тхылъыр тезыдза машинисткэм сэ сом 2000 естауэ щытащ. Къафэ, удж, ислъэмей макъамэу 550-рэ хъун музыкэвед ГъукIэ Анжелэ къыздэIэпыкъуу ттхыри, Мейкъуапэ тхылъ тедзапIэм щIалъхьащи, къыдэкIауэ сымылъагъуну пIэрэ жысIэу согузавэ. Зы кIэпIейкIи сыхуейтэкъым мыхэр лъэужьыншэу мыкIуэдыжу къыдагъэкIыну фIэкI (тхылъ зыдэлъым и бжэр Iуехри, зэгъэзэхуауэ щылъ папкэхэр сегъэлъагъу). Мы дунейм тет хъункъым плъэмыкIыжу укъэнэным нэхъ Iей: уи гур пхъэру, уи лъэр пхъэм дэнауэ. Мы дунейм теткъым улъэIуэн нэхъ Iей. ФIыуэ плъагъу лэжьыгъэ уиIэн хуейщ, гъащIэр щIэщыгъуэ къыпщищIу. Шэч хэлъкъым узыкIэлъыплъыжын зэрыхуейми. Си анэр 1929 гъэм дунейм ехыжри, къыкIэлъыкIуэ илъэсым тутын ефэн щIэздзащ илъэс 12-м ситу. 1960 гъэ пщIондэ си Iэпэгъуащ тутыныр. Зэгуэр Сонэ Мухьэрбий сэрэ дыпIащIэу зыщIыпIэ дыжэрти, ар схуэмыхьу сыпсчащ, тутынафэм зэрихабзэу. «Уэлэхьи, Мухьэрбий, сэ мыбы афIэкIа зезмыгъэукIын», — жысIэри а махуэм хыфIэздзащ тутыныр. ЦIыху сыхъужащ. Абы иужькIэ къэскIухьами къэзжыхьами, къыстемыхьэлъэу си Iэпкълъэпкъыр псынщIэу щытащ. Сэ аркъэми зыдезгъэхьэхакъым. Уэлэхьи, аркъэмрэ тутынымрэ ди цIыхур гъащIэ кIэщI ящIам. Сефэну сыхуеямэ, зэи щхьэусыгъуэншэ сыхъуакъым. Гупым сыхагъэсыну сашэрейт, ауэ зы бжьэм зэи фIэзгъэкIакъым — уэрэд яжесIэу сахэст, псори зэбгрыкIыжу си закъуэу сыкъыщынэр нэхъыбэу. Агънокъуэ Лашэ ижыIауэ, джэгур пшынауэм щыхуейр игъэджэ- гухущ. Си гъащIэм ахъшэкIэ яжесIакъым уэрэд. КхъыIэ, къакIуэ, жаIэу къызэлъэIумэ, сыкIуащ. МашинэкIэ сашарэ лъэсу сыкъыщыкIуэжи къэхъуащ, псори чэфрэ рулым бгъэдэтIысхьэжыну шынагъуэу. ШхынкIи езгъэлеякъым. Ширдий Маринэ Зырамыку къыIиха интервьюм къыхэтхыжащ. 2003 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25396.txt" }
Iэужьхэр Адыгэ лъэпкъым и цIыху щэджащэ, и набдзэ хъуа ди КъардэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ илъэс 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ, «Зырамыку и IэужьыфIхэр» зыфIэтщар, Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм къыщызэIутхащ. Шэджэм къалэ школ №1-м и 11-нэ классым щеджэ Щомахуэ Дианэрэ а къуажэм и 2-нэ школым и егъэджакIуэ Байдаевэ Иринэрэ. Абы хэдгъэхьащ КъардэнгъущIым и IэдакъэщIэкIхэр, щIэныгъэр и лъабжьэу зэригъэзэхуэжа лэжьыгъэхэр, адыгэ IуэрыIуатэм и лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэм хухэха тхылъ хьэлэмэтхэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, томитI хъу «Адыгэ псалъэжьхэр», лъэпкъ Iущыгъэу миниблым щIигъу зэрытыр (япэ томыр — 1965 гъэм, етIуанэр — 1967 гъэм дунейм къытехьащ), «Адыгэ IуэрыIуатэр» (япэ томыр — 1963, етIуанэр — 1969), «Адыгэ хабзэу щыIахэр» зи фэщыгъэцIэ тхыль. «Андемыркъан» лIыхъужь-тхыдэ эпосыр. «Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ» антологие абрагъуэр (япэ томыр — 1980, етIуанэр — 1981, ещанэр (IыхьитIу) — 1986/90 гъ.гъ. къыдэкIахэщ). Iуэхугъуитхурэ теплъэгъуэ зыбжанэу зэхэлъ драмэ тхыгъэ гъуэзэджэ «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ». «ГушыIэ хъыбархэр» тхылъ цIыкIум щызэхуэхьэсащ къэбэрдейхэм яхэлъ гушыIэ-ауанхэр, щIэнакIэхэр, Iущыгъэ зыхэлъ хъыбар кIэщI цIыкIухэр. Ахэр ди адыгэ гъащIэм къыхэкIащ. Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ уэрэдыжьхэр щызэхуэхьэсауэ зэрыт тхылъ: «Адыгэ уэрэдыжьхэр» (1979). И лIыгъэрэ акъылкIэ лъэпкъым и псэм дыхьа цIыхурт уэрэд зыхуаусу щытар. Апхуэдэ цIыхухэм я хъыбарыр ди нобэм къэсыным псэемыблэжу хъумакIуэ хуэхъуащ КъардэнгъущIыр. Лъагъуныгъэ яхуиIэу езыми игъэзащIэрт адыгэ уэрэдыжьхэр. Абы и фIыгъэуи къыщIэкIынщ нобэ ди щIалэгъуалэм уэрэдыжьхэр зэрагъэзащIэр. Ди гъэлъэгъуэныгъэм щызэхуэхьэсащ Зырамыку и гъащIэмрэ и IуэхущIафэмрэ теухуауэ ятха тхыгъэхэри, КIыщокъуэ Алим, Нало Заур, Гъут Iэдэм, Шупашэ Джэудэт (Иордание), Щоджэн Яхья (Израиль), Бемырзэ Мухьэдин (Шэрджэс хэку), Жьанэ Къарэмырзэ (Адыгей хэку), Унэгъэс Мухьэрбий, Шакъ Марьянэ сымэ ейуэ. АдыгэлI нэсу, цIыху гъэсауэ, къызыхэкIа лъэпкъым хузэфIэкI хуищIэу дунейм тета Зырамыку щIэблэм дежкIэ щапхъэ ирокъу. БЕЗЫР Ленэ, Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25401.txt" }
Зырамыку хужаIахэр КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэ лIы Iущым, лэжьакIуэ емызэшыжым, щIэныгъэлI щыпкъэм псалъэ гуапэ хужыпIэну къилэжьыртэкъэ?! ИкIи хужаIащ, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэми, тхакIуэ-усакIуэ гъуэзэджэхэми, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэми, къызэрыгуэкI цIыхуу абы и гуащIэм дихьэххэми. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, куэд мэхъу ахэр, къэбгъэсэбэп мыхъуну щIагъуэ яхэмыту. Ауэ, газет напэкIуэцIхэри кIэншэ-щIэншэкъым, аращ кIэщIу, IупщIу, илъэс зэхуэмыдэхэм къыхужаIа, къыхуагъэхьа хъуэхъу тхылъу щыIэхэм зыбжанэ къыхэтхыну мурад щIэтщIар. Фи пащхьэ идолъхьэ ахэр. КIыщокъуэ Алим: — Адыгэ щэнхабзэм уэ хуэпщIар зыщымыгъупщэн Тхьэм дищI. Уэ пхуэдэлI ди лъахэм исыху, ди насып текIуэнщ, лъапэзэвыпIи дихуэнкъым. КIэрашэ Тембот, Жанэ Къарэмызэ, Лъостэн Исуф, МэшбащIэ Исхьэкъ (Адыгей хэку, 1978 гъэ): — Дэ фIыщIэшхуэ пхудощI уэ литературэм щызепхьа, щызепхьэ лIыгъэм щхьэкIэ. Иджыри куэдрэ, куэд дыдэрэ иреIу уи макъ лъэщыр! Уэ уи цIэкIи уи унагъуэм я цIэкIи бжьэ доIэт, щыIэм я нэхъыфIымкIэ дыпхуохъуахъуэ». Мыд Хьэжмусэ: — Пьесэ куэд итхакъым КъардэнгъущIым. Ауэ и къалэмыпэм къыщIэкIар мащIэми я пщIэр, я щIыхьыр инщ. «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» фIэкIа нэгъуэщI имытхами, абы и цIэр фIыкIэ ди лъэпкъ драматургием, ди театр щэнхабзэм я тхыдэм къыхэнэнт. Жанэ Къарэмырзэ (Адыгей хэку, 1978 гъэ): — ЛIым и лейуэ, адыгэм я напэр зыгъэдахэу дэ, лъэпкъым, къэтлъытэу, Андемыркъан илъ зыщIэту ди Зырамыку, гъэ мин бжыгъэхэр бгъэщIэну дыпхуохъуахъуэ!.. ХьэдэгъэлI Аскэр (Адыгей хэку): «И насыпщ КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэ цIыхум. Ухуеймэ — Тыркум, ухуеймэ — Иорданием, ухуеймэ — дэнэ лъэныкъуэкIи гъазэ, ар къыщамыцIыхурэ абы и гугъуфI щамыщIрэ адыгэм я мэ зыщыуа щIы кIапэ мы дуней псом теткъым. А псор абы къыхуэзыхьар и лэжьыгъэфIырщ. Куэд, куэд дыдэ щIауэ ирокIуэ а лIы щыпкъэр щIэныгъэм и гъуэгум, жыжьи нэсащ. Сытым хуэдиз тхылъ лъэпкъым теухуауэ дунейм къытехьа абы и фIыщIэкIэ, сыт хуэдиз лэжьыгъэ зэфIэгъэкIа хъуа! Псоми псори ямыщIэнкIэ мэхъу, ауэ дэ, зэрыжаIэу, зи Iэри зи щхьэри щIэныгъэм хэлъхэм, долъагъу абы ищIэр зыхуэдизыр. АдыгэлI нэс, цIыху гъэса, къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэри и нобэри фIыуэ, фIы дыдэу зыщIэ КъардэнгъущI Зырамыку тхуилэжьамрэ тхуилэжьымрэ мыращ жыпIэу цIыхум пхужемыIэным хуэдизщ. Шупашэ Джэудэт (Иордание): — Гуимыхущ уэ уи Iуэху лъагэхэу, лъапIэхэу, гуапэхэу адыгэм яхуэпщIэр, яхуэпщIар. Зы цIыхум и дежкIэ куэдыIуэщ уэ уи къарум къитIасэр. Дэ абы фIыуэ дыщыгъуазэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ махуэ къэс нэкIэ долъагъу дэ ахэр, тхьэкIумэкIэ зэхыдох. Амщыкъуэ Хьэшым (Иордание): — «Зырамыку, къуэшышхуэ! Уэ лъэпкъым хуэпщIар Iуэхушхуэщ. Тхьэм ар къызыгурыIуэн лъэпкъ дищI. Уи уэрэд дахэхэмрэ уи гушыIэ шэрыуэхэмрэ сыт я уасэ, нэгъуэщIым и гугъу умыщIи. ЛIы куэдым яхузэфIэмыкIрэ яхуэмыщIэрэ уи къарум, уи зэманым, уи узыншагъэм къитIэсащ. Жэщ уимыIэу, махуэ уимыIэу лъэпкъым ухуолажьэ, уи къарури уи щIэныгъэри щхьэузыхь хуэпщIу, иджыри ехъулIэныгъэр куэду уиIэну сынохъуэхъу. Щоджэн Ехья (Израиль, 1990 гъэ): — «Си ныбжьэгъу лъапIэ КъардэнгъущI Зырамыку, адыгэ фIэхъус гуапэ узох! «Граммофония» жиIэу тету ди адыгэжьхэм я уэрэдыр зэрыту къысхуебгъэхьар къысIэрыхьащ, Тхьэм уигъэпсэу… Тхьэм гуфIэгъуэ къуит, уи мурадхэр тхьэм къуигъэхъулIэ. Къущхьэ Догъэн (Тырку): — Зырамыку, уэ жыпIэ уэрэдыжьхэм дэ сыт щыгъуи ди гумрэ ди псэмрэ дыхьэу додаIэ. Сэ солъаIуэ апхуэдэ лэжьыгъэ езыхьэкI щIэныгъэлIхэм адыгэ жылэхэр зэи хуэмыныкъуэну. Нало Заур: — ЛIым сыт и пщIэр, — щыжаIэм, — «ЛIым хузэфIэкI и пщIэщ», — къажриIат Къэзанокъуэ Жэбагъы. Къэбэрдейм зи псалъэ шэч къытрамыхьэжу щытар аракъэ? Жэбагъы жиIам тепщIыхьмэ, КъардэнгъущIым лIищ я пщIэ къылъос: ди литературэм зылI и увыпIэ щеубыд, илэжьам мыхьэнэуэ иIэр къэплъытэмэ; уэрэд гъэIунымкIи цIэрыIуэ куэдым яхузэфIэмыгъэкIа зэфIигъэкIащ; щIэныгъэ IэнатIэу зыпэрытми лIы зэхъуэпсэн щилэжьащ. Зырамыку махуэ къэс уэрамым ущыхуэзэу сэлам епх щыхъукIэ, уэ пхуэдэ къызэрыгуэкIыу къыпщохъу, укIэлъыплъыжрэ уегупсысыжыпэмэ, щэджащэхэм зэращыщыр уолъагъу. Гъут Iэдэм: — Зэгуэр зэман къэхъунущ, «Ар сытым щыгъуэт щыщыIар?» жаIэу щIэупщIэмэ, мыпхуэдэ жэуап ирату: «КъардэнгъущI Зырамыку и зэманым». Мис абы щыгъуэ цIыху къызэрыгуэкIхэм я пщалъэу щытынур Зырамыку хуэдэхэр зэралъытэу щытарщ. Нобэ зи цIэр ву куэдым я цIэхэр кIуэдыжынурэ, хьэрэмыгъэкIэ зралъэфэлIахэри къыздикIам кIуэжынущ. Къэнэнур лIы и Iуэхуу хэкум иращIыхьарщ, лъэпкъым хуащIарщ. Ди зэманым Андемыркъан и хъыбарыр къызэрысам хуэдэу, нобэ фIы зыщIэм и хъыбарымрэ и Iэужьымрэ мыкIуэдыжыну къэнэнущ. Апхуэдэщ Зырамыку и макъ телъыджэр, абы итхыжа тхылъхэр, и IуэхущIафэ дахэр. Нобэ а лIы щыпкъэм уеплърэ узэплъыжмэ, уэ къызэбнэкIынури къэпщIэнущ. Бемырзэ Мухьэдин (Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ): — Уэ уи макъ щабэ зэпIэзэрытым хузэхалъхьауэ фIэкIа пщIэнукъым, Зырамыку, дэтхэнэ адыгэ уэрэдыжьри. Уэ жыпIэу щIэдэIуа дэтхэнэри игъащIэкIэ яхьэху абыхэм. Къэрмокъуэ Мухьэмэд: — ГъащIэ борэнми щхьэ закъуэ гуауэми Зырамыку япигъэувыфащ жэщи махуи, щхьэхи псэхуи имыIэу адыгэ хэкум, и адыгэ лъэпкъым, и адыгэ культурэм хуэлэжьэныр. Арауэ къызолъытэ и лъэр быдэ, и къарур мыужьых зыщIри. МафIэдз Сэрэбий: — СщIэркъым Зырамыку мыпхуэдэ цIэ иратын хуей щIэхъуар. Ауэ Зырамыку цIыху нэщхъыдзэ нэкIэ пыджэхэм, зэкIуэцIылъхэм, бзаджафэ зытету зрамыкухэм, гуемыIухэм аркъудейм жыжьэрэ гъунэгъуу ябгъэдыхьэртэкъым, ящыщкъым. Зырамыку цIыху гуапэщ, цIыху Iущщ, цIыху щабэщ, сытым щыгъуи дыгъэр, IэфIыгъэр, губзыгъагъэр и нэгум къищу. Абы убгъэдэсыныр, уепсэлъылIэныр насыпщ, гуфIэгъуэщ. Зырамыку цIыхугъэ, адыгагъэ хэлъым узыIэпешэ, иджыри зыгуэрхэм сыщIигъэдэIуащэрэт, зыгуэрхэм сыхуиущиящэрэт жыпIэу. Унэгъэс Мухьэрбий: — ЦIыхур гъэсэнымкIэ театрым иIэ мыхьэнэр зэрысабий лъандэрэ къызыгурыIуэ КъардэнгъущI Зырамыку лэжьыгъэ щхьэпэ куэд ищIащ и къуажэгъухэм гъуазджэр фIыуэ ялъагъунымкIэ, артист нэхъыжьхэм я Iуэхум нэхъ щIалэхэм пащэнымкIэ… Мыбы зэрыдэмысыжрэ куэд щIа пэтми, Зырамыку сытым дежи къыпыщIащ къыщалъхуа и Псыгуэнсу къуажэм. Ар жыджэру хэтщ ди къуажэм къыщаIэт Iуэху ин дэтхэнэми, тхуигъэдахэу, и псалъэ Iущхэм дыщIигъэдэIуу. Уи къуажэгъухэр уи цIэм дрогушхуэ, Зырамыку, — Тхьэм куэдрэ утхуигъэпсэу! Мысостышхуэ Пщызэбий: — Москва дэт театрей институтым щIэсу Зырамыку итха «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» пьесэм къытращIыкIа спектакль гъуэзэджэмкIэщ Къэбэрдей къэрал драмтеатрыр къызэрызэIуахауэ щытар. Адрей псом я гугъу умыщIи, лъэпкъ драматургием, театрым КъардэнгъущIым хуилэжьар куэд дыдэ и уасэщ. Зырамыку нэгъэсауэ цIыху насыпыфIэу жыпIэ хъунущ, сыт хуэдиз гугъуехь имышэчами, сыт хуэдэ гуауэ имыгъэвами. Ар жьыщхьэ махуэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ цIыху лъагъуныгъэмрэ пщIэмрэ нэхърэ нэхъ лъапIэ, нэхъ насыпышхуэ дунейм теткъым. Ди Зырамыку ахэр къелыжу иIэщ. Даур Аслъэн: — Щыпсалъэ къудейкIи Зырамыку и макъым музыкэ хуэмэбжьымэхэр хэлъщ… Адыгэ уэрэдыжьхэм я хъыбархэр къыщыжиIэкIэ, абы и макъым хэлъ художественностагъым узыIэпешэ, жиIэм елъытауэ и макъым хэлъ обертонхэр зэрехъуэкI, зэм зэпеш, зэми нэхъ еIэт, итIанэ кърешэхыжри, псалъэхэр нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ къызыкIэлъеутIыпщ… ЖыпIэнуракъэ, моуэ уи нэр уфIыцIи, къыпщыхъунущ адыгэ жьэгужьым упэрысрэ пасэрей лIыхъужьхэм я хъыбар уезыгъэдаIуэ джэгуакIуэм убгъэдэсу… Зырамыку мыхьэнэшхуэ ирет уэрэдым хэт псалъэхэм, зытеухуар къызэрыбгуригъэIуэным хущIокъу, и макъыр щихъуэжкIи пса-лъэхэр «зэрыдэмыкIуэдыкIыным» пылъщ. Псом хуэмыдэжу Зырамыку нэхъ жиIэр гъыбзэхэрщ. Куэдым яхужыIэркъым ди гъыбзэжьхэр, зрапщытми, пэлъэщыркъым. Зырамыку къищIащ икIи зыхищIащ гъыбзэм и дахэри и купщIэри. Абы гъыбзэжь щыжиIэкIэ, къыпщохъу ар зытеухуам и гуауэр езым и гуауэу, уэрэдкIэ къытхуиIуэтэж къудей мыхъуу, гурэ псэкIэ иригумэщIу. Езым и гъыбзэ жыIэкIи иIэжщ Зырамыку: моуэ Iэдэбу, иримыгузавэу икIи уимыгъэгузавэу, гукIэ, псэкIэ жеIэ… Жылэтеж Сэлэдин: — Жьым щхьэ ядишхыу, щIэм лъакъуэ ядишхыу, и гушыIэр япэ итрэ, сыт хуэдэ гуп хэмыхьами, къепщIэпщIэкI цIыхухэм дэрэжэгъуэ ин яхилъхьэрэ гуп гъэдахэу нобэми къогъуэгурыкIуэ Зырамыку. Ар зэи плъагъуркъым нэщхъейуэ, гукъыдэжыншэу, губжьауэ. Гуп уэршэрым хэтмэ, сыт хуэдэ Iуэхум теухуауэ ирехъуи, а ирагъэжьа псалъэмакъым екIун хъыбар къыбжиIэурэ, уи ныбафэр узауэ уигъэдыхьэшхыу куэдрэ ущигъэсыфынущ, таурыхъ зыдэз дыщэ пхъуантэ хуэдэщ, и щхьэр тепхмэ, къыхэпхынур умыщIэу хъуэпсэгъуэ защIэу. Апхуэдэ цIыху зэ зылъэгъуам щыгъупщэркъым, сыту жыпIэмэ лъэпкъым уригушхуэну хъугъуэфIыгъуэу бгъэдэлъ псор абы и деж щызэхуэхьэсащ, дыщэ кIадэм хуэдэщ. 1998 гъэ КъБЩIКъИ-м и лэжьакIуэхэмрэ Иорданием къикIа Амщыкъуэ Хьэшымрэ Зырамыку и пшыхьым хэтщ. 2003 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25404.txt" }
«Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм я редакцэхэм щылажьэхэр Зырамыку и махуэмкIэ зэрехъуэхъуауэ щытар: Гупыр зыгъэгупыр, ЖаIэ, гуп и уасэщ. Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъхэр — Уасэ зимыIэжщ. ЛIыбэм ялъэмыкIыр ЗылъэкIа хэкулIхэм Уэ уащыщщи, хъуэхъур Псоми пхудоIэт: Уи пкъыр пкIатэу, Уи гур лъатэу, Уи макъ дахэм дэнэкIи къыщилъэтыхьу, Уи щIыхь иным дэнэкIи щытепсэлъыхьу, Тепсэлъыхь пэтми, яхуэмыухыу, Къыптетхыхь пэтми, нахуэмытхысу, Лъэпкъ псо къызэрыпхьэхуфар нэрылъагъурэ, Нэрылъагъум и щэхур къахуэмыхутэу, КъахуэмытIэщIу, Уэ, а псом зыри хыумыщIыкI хуэдэ, Хэбгъахъуэрэ, гухэхъуэгъуэр уиIэ зэпыту Илъэсищэм ущхьэдэхыну ДО-ХЪУА-ХЪУЭ!!! 2003 гъэ Мысостышхуэ Пщызэбий Дадэ Тхуэпсэу куэдрэ уэ узыншэу, Дадэ, Уи чэнджэщхэм дащIыр дэ нэхъ хахуэ, Уэ хъуэхъу дахэу къыджепIахэм хуэдэ Мэхъу ди гъащIэр, ухъу уэ жьыщхьэ махуэ. Дотэнэхуу щIэблэм укъытхэтщи, Ди насыпщ уэ дяпэ уитыхункIэ, IуэхуфI куэд уи лъэпкъым хуэблэжьащи, И нэщIэбжьэ тхьэм уимыгъэлъагъукIэ. Ухэхуащ уэ куэдрэ Iуэху мыщхьэпэ, Псалъэ дыджкIэ уигури къауIащ, Умыгъуэту птелъ уIэгъэр пхапIэ Уи мурадхэм уи Iэр тебгъэхуащ. Лъэпкъым и насыпыр пэпщIу уи псэм, Уопсэу — гуфIэм уэри удогуфIэ, Нэгу зэлъам къежэх уи гуфIэнэпсым Дэри дещI нэхъ къабзэ, насыпыфIэ. Щапхъэу, лIыгъэу уэ дыбгъэлъэгъуахэр Къыхэнэнщ налкъуту ди лъэпкъ тхыдэм, Докъуз гуапэу нобэ уи Iэ пхъашэр, ХудощI щхьэщэ жьакIэ уэсу тхъуам. Уэ пхуэдэлIщ къэралыр зэрыгушхуэр, Лъэпкъыр зэчэнджэщыр щIэщхъу къэхъуам, Гъуэгугъэлъагъуэу диIэщ уи IуэхуфIхэр, ЖыпIэм дерс къыхехыр щхьэрыуам. Тхуэпсэу куэдрэ уэ узыншэу, Дадэ, Уи чэнджэщхэм дащIыр дэ нэхъ хахуэ, Уэ хъуэхъу дахэу къыджепIахэм хуэдэ Мэхъу ди гъащIэр, ухъу уэ жьыщхьэ махуэ. Жылау Нурбий Адыгэ щэнхабзэм и тхьэмадэ У-адыгэм, уемызэшу, ЖыIэ и цIэр Зырамыку, Езыр псэкIэ хуэлэжьащи КъимыкIуэту ар ди Хэку. Фашистышэм къезымыкуу КъэкIуэжауэ Зырамыку, Зыми зыкIи зырамыкум Езыкуфу Зырамыку. IуэрыIуатэ пхъуантэдэлъхэр ЗэIубз зыщIу КъардэнгъущI, Адыгэлъэ здынэсахэм, Нэсыфауэ КъардэнгъущI. Уэрэдыжьхэм псэщIэ хилъхьэу ЖызыIэжу КъардэнгъущI, Гуащэгъагъхэм жаIа гъыбзэр Зыгъэжьгъыжьгъыу КъардэнгъущI. Хъуэжэ «щIыгъуу» къикIухьыфу ЛIы Iущ щыпкъэу КъардэнгъущI, Зи лэжьыгъэм ин ищIауэ ЛIы цIыкIу щхьэшхуэу КъардэнгъущI. Зи гушыIэр япэ иту, Гуп и уасэу КъардэнгъущI, Жыг гъэкIыным хуэIэижьу Гъуазэ пэжу КъардэнгъущI. Уэрэдыжьхэр къыдихыжу Тыгъэ зыщIу КъардэнгъущI, Шэрджэс лъэпкъхэм я щэнхабзэм И тхьэмадэу КъардэнгъущI. Хабзэ-бзыпхъэр зэзыпхъэкIыу КъардэнгъущIхэ Зырамыку, Хэкум фIыгъуэу къытхуэпщIахэр Дапщэщ, сыткIэ пхуэтщIэжын?! Зеикъуэ къуажэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25408.txt" }
Абы и уэрэдхэр тхыдэщ, бзэщ, хабзэщ Куэд щIауэ соцIыху Зырамыку. ДыкъакIуэмэ, дызэхуозэ. Ди насып къихьри, Иорданым нэкIуати, абыи дыщызэбгъэдэсащ, и гушыIэрэ уэрэдрэ жедгъэIэу. Сешамэ е гукъеуэ гуэр сиIэмэ, Зырамыку и уэрэдхэм содаIуэ, лъэпкъым и тхыдэр, и гъащIэр си нэгум щIэкIым хуэдэу. Мыбы сыкъэкIуэжауэ сыщыщыIэм и деж, махуитI-щы нэхъыбэ дэзмыгъэкIыу, сокIуэри сыбгъэдос. Iыхьшыхьу ущIыхьамэ, къэщIэлэжауэ, и макъри жьгъыру къэхъужауэ, сэри си псэм зигъэпсэхуауэ сыкъыщIокIыж. Тэрч Iуфэм. МафIэдз Бэрэбий и гъусэщ. 1981 гъэ Зырамыку лъэпкъым хуищIам и мыхьэнэр къэIуэтэгъуейщ. Абы и фIыщIэкIэ куэд хъума хъуащ лъэпкъым и фIыгъуэу, фэ къытезыгъауэу. Зырамыку уэрэду зэхуихьэсыжам зэманрэ лэжьыгъэшхуэрэ зэрепхар гурыIуэгъуэщ. Хъыбарыжь, уэрэдыжь къыбжезыIэжын къэгъуэтын, ар къэбгъэпсэлъэфын, птхын, а псор тептхыкIыжын хуейщ. Апхуэдэу уэрэд 200-300 уелэжьын жыхуэпIэр Iуэху тынш? Абы щыгъуэм щыIа Совет властым и къалэну къилъытэрт IуэрыIуатэр зэхуэхьэсынри, щIэныгъэлI гуп зэригъэуIуурэ игъэлажьэрт. Хуабэти, щIыIэти, ди унэжьти жамыIэу лэжьахэр мыхъуамэ, ар къэзыIуэтэжа лIыжьхэм, фызыжьхэм IуэрыIуатэр здахьыжынут. Си щхьэ Iуэху, си унагъуэ Iуэху жимыIэу, абы зэрытелэжьам щхьэкIэ фIыщIэшхуэ хузощI Зырамыку. Зэщхьэгъусэхэм ВДНХ-р къаплъыхь. Москва, 1957 гъэ Сэ щIэх-щIэхыурэ Зырамыку телефонкIэ сепсалъэрти, гу лъыстат и уэрэдхэм зэрытегузэвыхьым, ахэр зытет пленкэхэр зэманкIэ кIуэдыжыну, зэпыщэщыну жаIэу зэхызохри согузавэ къыщызжиIэм, сфIэемыкIуащ а гупсысэр абы щхьэщызмыхыну. Зырамыку ищIа лэжьыгъэм, абы къарууэ тригъэкIуэдам елъытауэ сытым щыщт а уэрэдхэр лазер дискым требгъэтхэным ихьынур. Арати, дискым техуэр трезгъатхэри, езыми Зырамыку и уэрэдхэр фIыуэ зылъагъу си ныбжьэгъухэми яхуэзгуэшащ. Сэ ар мылъку къызыхэпхын, сату зэрыпщI хъун Iуэхум схунэгъэсакъым, абы елэжь фирмэ тэмэмым ахъшэшхуэ ептын хуейти. Ауэ а трезгъэтха тIэкIури си дежкIэ лъапIэщ, сыту жыпIэмэ Зырамыку и уэрэдхэр, иджыри зэ къытызогъэзэжри, икIи тхыдэщ, икIи бзэщ, хабзэщ, цIыху къызэрыгуэкIхэр, пщыхэр зэрызэхущыту щытар, лъагъуныгъэр, нэгъуэщI Iуэхухэри къытхуэзыIуатэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ар лъэпкъ щIэнгъуазэ хуэдэу мэхъу. Адыгэм, ди насыпти, Зырамыку, макъ дахэкIэ уэрэд жиIэ къудей мыхъуу, лъэпкъ тхыдэм, щэнхабзэм теухуа щIэныгъи бгъэдэлът. А псори зы цIыхум и деж щызэхуэхьэсауэ куэдрэ къэхъуркъым. Зырамыкурэ Жанпагуэрэ «Адыгэ унэ» тыкуэным щохьэщIэ. 2006 гъэ Куэдрэ согупсыс лъэпкъым зыгуэр хуэзыщIэф цIыхухэр Iэтын, гъэлъэпIэн, зыхуей хуэгъэзэн зэрыхуейм. Ар щIэблэм дежкIэ щапхъэ хъунущ. «Зырамыку ищIатэкъэ хузэфIэкI, хэт ар къызыфIэ-Iуэхуар?» — жаIэу я щхьэ Iуэхум, я унагъуэ Iуэхум нэхъ зратынкIэ хъунущ лъэпкъым зэрыщхьэпэн щIэныгъэрэ IэщIагъэ тэмэмрэ зиIэу щIалэгъуалэм яхэтым. Илъэс 80 — 90-кIэ узэIэбэкIыжмэ, тхауэ зыри диIэтэкъым. Иджы тхылъкIи, театркIи, университеткIи нэгъуэщI лъэпкъхэм дакъызэрыкIэрыху щыIэжкъым. Хэкум никIыу хьэщIэ нэкIуахэм щIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ яхэтмэ, сригушхуэрт, дэри зы лъэпкъ дызэрыщыщыр, ди щIыбагъ тхыдэшхуэ, хабзэ, щэнхабзэ къызэрыдэтыр дызыхэсхэм ягурыдгъэIуэну Iэмал дгъуэтырти. — «Зырамыку и уэрэдхэм псори едаIуэрэ?» — жиIэри зыгуэр къызэупщIат. Абы жэуапу естыжаращ: Шекспир и тхылъхэм псори еджэрэ, Гете псоми яцIыхурэ, Чайковскэм псори едаIуэрэ? Ахэр щIыщыIэр щIэныгъэ зиIэ, зи псэкIэ, зи щэнхабзэкIэ абы хуэхьэзыр цIыхухэращ. Нобэ щыIэ уэрэд цIыкIухэм ущедаIуэкIэ, зыри уигу къинэжыркъым. Зырамыку и уэрэдхэм уагъэпIейтей, тхыдэм, ди адэжьхэм я гъащIэм ухешэ. Зырамыку сыбгъэдэсащэрэт жысIэу си гуапэу сыщIохьэри, «Уэлэхьи, сыхьэлъэм, сысымаджэм», — жиIэу сыкIуами, тIэкIу-тIэкIуурэ згъэгушыIэурэ, дыздэуэршэрурэ, гукъыдэж иIэ мэхъуж. Зырамыку и щхьэгъусэ Жанпагуи хуабжьу къыдолIалIэ, ерыскъы IэфI зэрыдигъэшхынум яужь иту. КIэщIу жыпIэнумэ, гуапэщ а унагъуэр, иджыри сыкъэкIуэжарэт жыпIэу укъыщIокIыж. АМЩЫКЪУЭ Хьэшим. Иордание. 2003 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25415.txt" }
ЩIэныгъэм и гъуэгукIэ КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми и мызакъуэу, Адыгейми Шэрджэсми фIыуэ щалъагъу КъардэнгъущI Зырамыку илъэс куэд щIауэ щолажьэ щэнхабзэм, мащIи мы IэнатIэм щызэфIигъэкIакъым. Ар икIи щIэныгъэм и гъуэгу мытыншым еш имыIэу ирокIуэ. Ар IуэрыIуатэр, уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыжынымкIэ, елэжьынымкIэ зыхуэдэ щымыIэ лэжьакIуэ жыджэрщ. «Нартхэр» тхылъыр Налшыки Москваи къыщыдэкIауэ зэрыщытам фыщыгъуазэщ. Абы ихуахэм и лэжьыгъэ хэлъщ КъардэнгъущIым. Псалъэм папщIэ, Щэбэтыкъуэрэ Мэлэчыпхъурэ теухуахэр зыхуэзыхьэсыжари зыхуей хуэзыгъэзари аращ. Адыгэ жылэхэр, жыжьэми гъунэгъуми, къызэхикIухьурэ, абы итхыж уэрэдыжьхэм я мыхьэнэр пхуэмылъытэну инщ, цIыхухэм зыпащI щыIэкъым. Апхуэдэщ, къэтщтэнщи, “Хъымсад и гъыбзэр”, нэгъуэщIхэри. И насыпщ КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэ цIыхум. Ухуеймэ, Тыркум, ухуеймэ, Иорданием, ухуеймэ, дэнэ лъэныкъуэкIи гъазэ — ар къыщамыцIыхурэ абы и гугъуфI щамыщIрэ адыгэм и мэ зыщыуа щIы кIапэ мы дуней псом теткъым. А псор абы къыхуэзыхьар и лэжьыгъэращ. Куэд, куэд дыдэ щIауэ макIуэ а лIы щыпкъэр щIэныгъэм и гъуэгукIэ, жыжьи нэсащ. Сыт хуэдиз лэжьыгъэ зэфIэгъэкIа хъуа! Псоми псори ямыщIэнкIэ мэхъу. Зырамыку уэрэджыIакIуэ къудейуэ фIэкIа зымыщIи щыIэщ, ауэ дэ, щIэныгъэм зи Iэри зи щхьэри, зэрыжаIэу, хэлъхэм, долъагъу абы ищIэр зыхуэдизыр. Къапщтэмэ, Зырамыкущ ди япэ щIэныгъэлI, тхыдэхутэ Нэгумэ Шорэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ» и лэжьыгъэ уасэншэр зэзыдзэкIыу адыгэр и анэдэлъхубзэмкIэ къезыгъэджар. Ар 1957 гъэм Налшык тхылъу къыщыдигъэкIауэ щытащ. Куэдым тредзэ щIэныгъэлI жыджэрым, еш, щхьэх зымыщIэм и жьауэр. Дэ, Адыгейм и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэлIхэм дащIыгъуу, куэдрэ дызэдежьэн хуейуэ къытхуохуэ. Иорданием дыкIуауэ, зи сигу икIыжыркъым абы псалъэ гуапэу Зырамыку къыщыхужаIауэ щытар. Дэни ущрохьэлIэ абы и уэрэдхэр зытет пластинкэхэм, щIэныгъэм щызэфIигъэкIа IуэхуфIхэр сыт хуэдэ щIыпIи щащIэ. ХьэдэгъэлI Аскэр, Адыгейм и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэ. 2003 гъэ Тхьэмадэ Iумахуэ Лъытэгъуейщ КъардэнгъущI Зырамыку и гуащIэдэкIыр — ар апхуэдизкIэ инщ, зэмылIэужьыгъуэщи. Зырамыку и къалэмыпэм къыщIэкIауэ дунейм къытехьащ пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэмрэ нэгъуэщI IуэрыIуатэхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ купщIафIэ куэд. Абыхэм ящыщщ Андемыркъан и хъыбархэр щызэхуэхьэса тхылъыр (зэхуэзыхьэсыжари зытхыжари езы Зырамыкущ). Къару ин дыдэ ирихьэлIащ Зырамыку пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыным — ахэр ди деж къэсамэ, псом япэрауэ зи фIыщIэр КъардэнгъущI Зырамыкущ, ар мыхъуамэ, нобэрей щIэблэр щыгъуэзэнутэкъым ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа пасэрей уэрэдыжьхэм, абыхэм я макъамэхэри цIыхухэм ящыгъупщэжагъэнт. Дунейм тетыху, Зырамыку зыщIэкъуари зыхуэлэжьари аращ — адыгэ IуэрыIуатэм и фIыпIэр хэIущIыIу щIынырщ. Ар къехъулIащ Зырамыку — нобэрей щIэблэм хуихъумащ ди IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэхэр. Аркъудейри пхурикъунущ Зырамыку и гуащIэдэкIыр зэрыин дыдэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ. Куэдым къызэранэкIыфыркъым апхуэдэ гуащIэдэкI, ар зыхузэфIэкIыр ди IуэрыIуатэм куууэ щыгъуазэ, ар гурэ псэкIэ зыхэзыщIэ лэжьакIуэ Iумахуэрщ. Апхуэдэ лэжьакIуэт Зырамыку, аращ абы и IэдакъэщIэкIхэм я мыхьэнэр щIэлъытэгъуейр. Адыгэ IуэрыIуатэр, псалъэм папщIэ, уэрэдыжьхэмрэ псалъэжьхэмрэ, зэхуэхьэсыным и закъуэкъым Зырамыку зи ужь итар: зи гупсысэр жан, зи гур мызагъэ щIэныгъэлI цIэрыIуэт ар — абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ ди IуэрыIуатэм и купщIэмрэ и лъэпкъ фащэхэмрэ щихутэ тхыгъэ хьэлэмэт зыбжанэ. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ Андемыркъан къыдэгъуэгурыкIуа хъыбархэр Зырамыку щихутэ тхыгъэр. Зырамыку хузэфIэкIащ лIыхъужь цIэрыIуэр щыпсэуа зэманыр игъэбелджылын — Зырамыку и пэкIэ зыми къехъулIакъым ар. Шэч зыхэмылъращи, пасэрей адыгэ уэрэдхэм я купщIэмрэ япкърылъ гуащIэмрэ сэтей къэщIынымкIэ Зырамыку пэхъун бгъуэтынукъым — абы къыхуигъэщIат ар. Шортэн Аскэрбий къызэриIуэтэжамкIэ, абырэ Зырамыкурэ кIахэ адыгэхэм я деж еблэгъауэ, КIэрашэ Тембот Зырамыку къелъэIуауэ щытащ: «Лабэдэсхэм я гъыбзэм» дегъэдаIуэ», — жери. Езыми зыхилъхьэ щыIэтэкъым а уэрэдыр — къыхидзащ. Гъыбзэр и кIэм нигъэсыху, КIэрашэ Тембот и нэпсыр зэпыуакъым… Ар хузэфIэкIырт Зырамыку: уигури уи псэри итхьэкъурт, уэрэд къыхидзэмэ. ГуащэхужькIэ зэджэ пщащэ цIэрыIуэ исыгъащ Беслъэнейм, абы и хъыбар итхыжащ урыс тIасхъэщIэх Торнау Федор (лъэпкъкIэ нэмыцэщ, адыгэпхъу щхьэгъусэ ищIауэ щытащ). Гуащэ дахэкIейр зэпаубыдри, зэкъуэшитI зэщыхьэжащ — Аслъэнджэрийрэ Адэлджэрийрэ (тIури къэбэрдеипщт, Кавказ зауэм и зэманым КIахэм Iэпхъуауэ абы щызауэрт). Гуащэхужь и хъыбар теддзауэ щытащ «Адыгэ псалъэм», абы еджа нэужь, Зырамыку къэпсэлъащ: «Аслъэнджэрийрэ Адэлджэрийрэ я уэрэдым фыщыгъуазэ?» — жери. Дызэрыщымыгъуазэр жетIащ, апхуэдэ уэрэд ди деж къэсауи тщIэххэртэкъым. Уэрэдыр Зырамыку ихъумауэ къыщIэкIащ — ари теддзащ газетым. Апхуэдэ уэрэд, хъыбар куэд хэIущIыIу ищIыжащ Зырамыку, ар мыхъуамэ, нобэрей щIэблэр хэкIыжат уэрэдыжь, хъыбар куэдыкIейм. Дызэрыщыгъуазэщи, пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэм хъыбар хьэлэмэтхэри къадогъуэгурыкIуэ. Хъыбархэм къаIуатэ уэрэдыр къежьэнкIэ щIэхъуар, ар зытеIукIар. Апхуэдэ хъыбар зыщIыгъу зы уэрэди ущрихьэлIэнукъым Зырамыку деж. Уэрэдыр къыхидзэрэ и кIэм нигъэсамэ, абы щIыгъу хъыбарри иIуатэрт Зырамыку — фIыуэ щыгъуазэти. Уэрэдымрэ абы къыдэгъуэгурыкIуэ хъыбарымрэ зэи зэкIэщIичыртэкъым Зырамыку: хъыбарыр щIымыгъумэ, уэрэдыр къыбгурымыIуэнкIэ зэрыхъунур ищIэрт — ар узытеплъэкъукI мыхъун хабзэт. ГукъэкIыж хьэлэмэтхэри къызэринэкIащ Зырамыку, абыхэм я нэхъыбапIэм лъабжьэ хуэхъуар Хэку зауэшхуэм и зэманым езым и нэгу щIэкIарщ. Абыхэм ущеджэкIэ, уи фIэщ мэхъу Зырамыку зауэлI хахуэм и гъуэгу зэрикIуар, абы лIыгъэ зэрыхэлъар, зауэм и гуащIапIэ дыдэм зэрыпхыкIар. Апхуэдэщ КъардэнгъущI Зырамыку — и уэрэдхэри, и гъащIэ гъуэгуанэри, и дуней тетыкIари. Апхуэдэущ Зырамыку ди гум къызэринар — ар ди лъэпкъым зэи щыгъупщэнукъым. Къэрмокъуэ Хьэмид. Тхылъ телъыджэ «КъардэнгъущI Зырамыку и махуэ дэтхэнэри лэжьыгъэкIэ гъэнщIауэ, лъэпкъым хуэщхьэпэн Iуэху зэрихуэ зэпыту мэпсэу» жытIэмэ, егъэлея хъуну си гугъэкъым. Абы и зы щапхъэщ мыр. Зыкъом щIауэ сымаджэщ Зырамыку, ди жагъуэ зэрыхъущи, зэхэзекIуэ иIэжкъым. Абы къыхэкIыу пIалъэ-пIалъэкIэрэ дыщIэупщIэн хуей мэхъу и узыншагъэм. Я унэ дыщыкIуи щыIэу, ауэ адыгагъэм къезэгъыщэу щымыт телефонщIэупщIэр нэхъыбэу. Мис апхуэдэу телефонкIэ сыпсэлъауэ сыздыщIэупщIэм, ерагъкIэ псалъэхэр зэпищэурэ Зырамыку мыпхуэдэу къызэлъэIуащ: «КхъыIэ, Борис, иджыблагъэ къыдэкIа си тхылъым автограф фхутестхауэ щылъщи, зыгуэр къэгъакIуи егъэхьыж». «Тхьэразы къыпхухъу» жысIащ, къыддэлажьэ хъыджэбз цIыкIу згъакIуэри къезгъэхьыжащ. Сеплъмэ, — «АндемыркъанкIэ» еджэу хъыбарыжьхэмрэ уэрэдыжьхэмкIэ ди лъэпкъым игъафIэ лIыхъужьым теухуауэ напэкIуэцI 400-м нызэрыхьэсу тхылъ зэIэщIэлъ! Сэ згъэщIэгъуар Зырамыку апхуэдэ тхылъ къызэрыдигъэкIаракъым. Зыкъым икIи тIукъым абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъ купщIафIэу дэ дыкъызэджар, ди тхылъ шкафхэм щыдгъафIэу дэлъхэр. Хьэуэ, сэ згъэщIэгъуар нэгъуэщIщ: афIэкIа узыншагъэ имыIэжу, пIэм щыхэлъыр нэхъыбэу, дауэ ар абы зэрелэжьыфар?! И нэIэ тетурэ зи тхылъ дунейм къытехьа дэтхэнэми ещIэ ар зэрымытыншыр, нэхъыщхьэм и гугъу умыщIи, нэщIысын, зэгъэзэхуэн хуейуэ Iуэху пэщэщэн куэд къызэрыкъуэкIыр. Зырамыку цIыху гумызагъэ дыдэу зэрыщытыр Iуэхум хэплъхьэжмэ, къызыщыгъэхъугъуейкъым ар абы зэрыщхьэщысар зыхуэдизыр. АтIэми, IэкIи псэкIи телъэщIыхьурэ, аргуэру зы тхылъ гъуэзэджэ лъэпкъым тыгъэ къыхуищIащ Зырамыку. IУТIЫЖ Борис. 2003 гъэ Лейуэ зы псалъэ хэттэкъым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КъардэнгъущI Зырамыку, цIыхубэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсынымкIэ, адыгэ уэрэдыжьхэр екIуу гъэIунымкIэ зыхуэдэ щымыIэ лэжьакIуэ жыджэрым куэд дыдэ щызэфIигъэкIащ лъэпкъ щэнхабзэр джын, ар хъумэн IэнатIэм. Ди республикэм и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ псор зэрыгушхуэу щыта адыгэлI щэджащэу дунейм тетащ ар… Зырамыку хужамыIа псалъэ къэзгъуэтыну си гугъэу аракъым мы тхыгъэ кIэщIыр стхыну мурад щIэсщIар. Сызыхуейр сэ, журналистым, КъардэнгъущIым и Iуэху бгъэдыхьэкIэу, и хьэл-щэну, и дуней тетыкIэу гу зылъыстамкIэ сывдэгуэшэнырщ. Сэ сыщылажьэ IэнатIэм хуэдэ пэрыт дэтхэнэми зэрищIэщи, тхакIуэ псори жьэнахуэкъым, псэлъэф псори тхэным хуэIэкIуэлъакIуэкъым. А тIури зэгъэбыдылIауэ зыхэлъ цIыхухэр мащIэ дыдэщ, а закъуэтIакъуэм ящыщт КъардэнгъущI Зырамыку. Итхыр зэрыхъум и IэдакъэщIэкIхэр зылъэгъуа псори щыгъуазэщ, — лэжьыгъэ IуэхукIэ хуеблагъэу ар къэзыгъэпсэлъа дэ и жыIэм мыгурыIуэгъуэ гуэр дыщыхуэзауэ сщIэркъым. И тхыгъэу газетым къытехуахэм къыпэкIуа ахъшэ мащIэр хуэтхьыжу дыщыкIуэ щыIэт Зырамыку и деж. Абы къыдэкIуэу езым къыдэлэжьахэу, и ныбжьэгъухэу, щэнхабзэм, гъуазджэм и лэжьакIуэу зи махуэр е зи фэеплъыр ягъэлъапIэхэм я гугъу едгъэщIыну делъэIурти, зэи дигъэщIэхъуртэкъым. Къупщхьэуз зыпкърыт лIыжьым и щытыкIэмрэ гукъыдэжымрэ елъытауэ тхэми, «диктофоным трегъатхэ, хъыджэбз» жиIа иужь, дыкъыщалъхуар махуэ зырызу къызыхуэбжыжыну нэхъыжьым баштекъузэкIэ къалэмыр къебгъэщтэнт?! Сэ сыкъапщтэмэ, апхуэдэу жиIэр диктофоным зэрытрезгъэтхар нэхъыбэщ. Зытх куэдым нэхърэ нэхъ гугъэзэгъэгъуэт Зырамыку и псалъэр къытептхыкIыжыну: лейуэ зы псалъэ хэттэкъым, зэблэгъэувыкIын хуэмейIауэ гъэхуат, зэпсалъэм и лэжьыгъэми, газетым и зэхэлъыкIэ-зэхэгъэувэкIэми фIыуэ зэрыхищIыкIыр IупщIу. И адыгэбзэр-щэ?! Жьы хъуа псалъэхэмрэ яIэщIэхужыпэным нэсахэмкIэ къулейуэ къызэрытIэпIыкI и бзэр псыIэрышэм хуэдэу шкIуэрашкIуэрти, псалъэ гугъусыгъуу къыпщыхъухэм зыкIи хьэлъэ ящIыртэкъым. ЖыпIэнуракъэ, уи анэдэлъхубзэм уи щхьэр лъагэу ириплъагъужынумэ, урипэгэнумэ, Зырамыку и псэлъэкIэр урикъунут. И уэрэд жыIэкIэмрэ лэжьыгъэу игъэшамрэ ялъысын хуей гулъытэм и гугъу сщIыххэнкъыми, Зырамыку и бзэр къызыгурыIуэн, и псалъэр зыхъумэфын, пщIэ хуэзыщIыфын куэд ди лъэпкъым Тхьэм къыхигъэкI. ИСТЭПАН Залинэ. КъардэнгущIхэ я унагъуэр. Зырамыку лъахъшэу щысщ. Псыгуэнсу къуажэ, 1924 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25418.txt" }
ПщIэшхуэ зыхуащI Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, КъардэнгъущI Зырамыку къыфIащауэ щытащ ди республикэм и цIыхубэ артист цIэ лъапIэр. Сэ фIыуэ къызгуроIуэ апхуэдэр къэзымылэжьам фIащ зэрымыхабзэр. ИтIанэми «цIыхубэ», «щIыхь зиIэ» псалъэхэр зыпыт цIэ лъапIэ зезыхьэ псори схузэхуэгъэдэнукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Зырамыку хуэдэ закъуэтIакъуэхэр (цIэ лъапIэ хуагъэфэщауи хуамыгъэфэщауи щрет), псоми къахощхьэхукI я IуэхущIафэмкIи, а Iуэху зыбгъэдэтыр лъагэу зэраIэтымкIи. Илъэс 70-м нэблэгъауэ а лIы щэджащэр ди лъэпкъ щэнхабзэм хуолажьэ, илъэс 60 хъуауэ адыгэ щыпсэу щIыпIэ къимыгъанэу уэрэдыжьхэр, хъыбархэр, псалъэжьхэр зэхуехьэс, зэхуехьэсри тхылъу къыдегъэкIыж. Илъэс 50-м щIигъуащи, абы и уэрэд жыIэкIэр цIыхубэм ямыужэгъуу, щIэщыгъуэр имыкIыу, едаIуэр псэкIэ ихьэхуу къоIу. Сэ сщIэркъым Тхьэуэ дыкъэзыгъэщIам Зырамыку и натIэ къритха мыгъуагъэ къомыр тIэкIу хигъэгъуэщэжын щхьэкIэ гъуазджэр гуэдзэ къыхуищIами, «фIы куэдыIуэ лъысащ» жиIэу, щIегъуэжу лъэпощхьэпо хэмыкI ищIыжами. Ауэ сщIэр зыщ: КъардэнгъущIыр зымыцIыхухэм «Зи насып!» жаIэ. Ауэ абы и гъащIэр къызэрекIуэкIам нэхъ кууIуэу щыгъуазэхэм: «КъардэнгъущI къудейкъым, гъущI дыдэщ, апхуэдиз щишэчакIэ», — дыщIагъуж. Гукъеуэ мащIэ илъэгъуакъым, и нэхъыжьи и нэхъыщIи зэкIэлъыкIуэу зыбжанэ щIилъхьэжащ, и Iэпкълъэпкъым узыфэ къыхыхьати, абыи ебэныфащ. А псор зыщIэ языныкъуэхэм «ИтIанэми уэрэд жеIэф!» — ягъэщIагъуэ. Ауэ, сэ къызэрысфIэщIымкIэ, а уэрэдхэр, хъыбарыжьу зэхуихьэсыж къомыр мыхъуатэмэ, Зырамыку къытехуа хьэлъэр хуэмышэчынри хэлът. Зэгуэр зэман къэхъунущ, «Ар сытым щыгъуэт щыщыIар?» — щIэупщIэмэ, «КъардэнгъущI Зырамыку и зэманым», — жаIэу жэуап ятыжу. Мис абы щыгъуэ цIыху къызэрыгуэкIым и пщалъэу щытынур Зырамыку хуэдэхэр зэралъытэу щытарщ. Нобэ зи цIэр ву куэдым я цIэхэр кIуэдыжынурэ, хьэрэмыгъэкIэ зэзылъэфэлIари къыздикIам кIуэжынущ. Къэнэнур лIы и Iуэхуу хэкум иращIыхьарщ, лъэпкъым хуащIэрщ. Ди зэманым Андемыркъан и хъыбарыр къызэрысам хуэдэу, нобэ фIы зыщIэм и хъыбарымрэ и Iэужьымрэ мыкIуэдыжу къэнэнущ. Апхуэдэщ Зырамыку и макъ телъыджэр, абы итхыжа тхылъхэр, и IуэхущIафэ дахэр. Нобэ а лIы щыпкъэм уеплърэ узэплъыжмэ, уэ къызэбнэкIынури къэпщIэнущ. ГЪУТ Iэдэм. 2008 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25422.txt" }
ЛIэщIыгъуэм и цIыху Адыгэм ди гъащIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ: бгъэныщхьэ унэм щIэкIри унэ зэтетхэм Iэпхъуахэщ, фэтыджэн уэздыгъэр электрокъарукIэ яхъуэжащ, пхъэгъэсын жаIэжыркъым — газкIэ мэпщафIэ, дамащхьэкIэ псы къахьыжыркъым, выгу-шыгу зезыхуэу щытахэр «Мерседес»-м итIысхьащ. Телефон, телевизор къызэрыгуэкIхэр зэрамыпэсыжу, жып телефонымрэ спутник, телевиденэмрэ зрапщыт, Iэпэ шотыжьыр ягъэтIылъауэ, компьютер лъэщхэм бгъэдэсщ. Ауэ Iуэхуракъэ, дызыхуэмей гуэрхэри къыздахь, адыгэ хьэл-щэныр ягъэужьых, ди анэдэлъхубзэр къытфIызэIащIэ. Жылау Нурбий и къуажэ музейм. ЗэIущIэр Пщынокъуэ БетIал ирегъэкIуэкI. 1973 гъэ Ди жагъуэ-ди гуапэми, адыгэ Iэнэм уэрэдыжьрэ хъыбарыжьу щызэпадзыжыр мащIэ дыдэщ. Нобэ къытщIэхъуэ ди щIэблэм я дежкIэ телевизор экраным къилъадэ персонажу «Черепашкэ-ниндзя»хэр, «Человек-паук», «Бэтмэн» сымэ нэхъ нэIурытщ нарт Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ сымэ нэхърэ. Пэжщ, а Iуэхум ди мызакъуэу, лъэпкъышхуэхэри егъэгузавэ, зэрызахъумэжын Iэмалхэр къалъыхъуэ. Дэри, лъэпкъыу дыкъызэтенэну дыхуеймэ, дунейпсо цивилизацэм дызэрыдэгъуэгурыкIуэн Iэмалрэ хэкIыпIэрэ къэдгъуэтын хуейщ. Адыгэм ди IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжын, джын, ар цIыхубэм я пащхьэм екIуу илъхьэжын я лъэныкъуэкIэ, ХХ лIэщIыгъуэм Зырамыку нэхърэ нэхъыбэ зылэжьа гъуэтыгъуейщ. XIX лIэщIыгъуэм апхуэдэу диIащ Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ. КъардэнгъущI Зырамыкуи, абыхэм хуэдэу, и гъащIэр зытеухуауэ щытыр лъэпкъ тхыдэр, IуэрыIуатэр хъумэнырщ. Тхьэм жимыIэкIэ, ауэ, итIани, шынагъуэ щыIэщ дызыхуэкIуэ лIэщIыгъуэм Зырамыку хуэдэу IуэрыIуатэкIэ Iэзэ лъэпкъым къыщIэмыхъуэжынкIэ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, сабийр къэгъэнауэ, егъэджакIуэ дапщэ бгъуэтыну «уэкъулэр» зищIысыр ящIэу, е «Суншыжь гущэм и тобылыгъур пщы дадэм и зэпэбашт», е «Пылыжьым и пкъыр зи убыдакъ» жыхуиIэ псалъэхэр тэмэму зэпкърихыу къыбгуригъэIуэфыну? АтIэ ахэр къыбгурымыIуэмэ, бзэм и IэфIыр умыщIэу аращи, абы щыгъуэм уи адыгэнри нэхъ кIэщI мэхъу. Шортэн Аскэрбийрэ Зырамыкурэ. 1962 гъэ Зырамыку и цIэр зэхэзымыха адыгэ гъуэтыгъуафIэкъым, тхылъкIэ, уэрэдкIэ ирехъу, псоми ялъэIэсащ. Хэкум къыхуэпабгъэу хэхэс хъуауэ хамэ щIыналъэхэм щыпсэу адыгэхэр нарт пшыналъи, адыгэ уэрэди, адыгэ хъыбарыжьи, адыгэ таурыхъи хуабжьу хуэныкъуэт. Сыту жыпIэмэ, зэпыщIэныгъэ щыIэтэкъым, къэралым цIыхухэр икъузырт. Мис а лъэхъэнэм «и чэзу дыдэу» Зырамыку абыхэм ялъэIэсащ. И макъ дахэмкIэ къихьэхуащ. КъардэнгъущIыр адыгэ псоми фIыуэ тцIыху къудейм къыщымынэу, фIыуэ долъагъу. Апхуэдизу ар гупсэгъу тхуэзыщIым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр дэ фIыуэ тлъагъу ди лъэпкъ IуэрыIуатэр Зырамыку фIыуэ зэрищIэрщ. Ар ноби гукIэ къеджэфынущ «Нарт» эпосым и Iыхьэ нэхъыфIхэу Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Ашэмэз, Мэлэчыпхъу сымэ я пшыналъэхэм. Жьыми щIэми уэрэдищэ бжыгъэ, хъыбархэри и гъусэжу, къыбжиIэфынущ. «КхъыIэ, Зырамыку, умысымаджэ. Щэбэтым фылажьэу сщIамэ, сынэкIуэнут, адрей махуэхэм хьэ епхам сыхуэдэщ. Узыншагъэ дахэ Алыхьым къуит, уэрэдыжьхэм я тхьэу ди Зырамыку», — къетх Къубэ-Тэбэ щыщ Къэзан Толэ. Зырамыку и ныбжьэгъу, тхакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Нало Заур и фIэщу, жиIэр фIэмащIэу, КъардэнгъущIым и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ зэпкърыхауэ щIытетхыхьари, абы и теплъэр скульптор ТхьэкIумашэ Михаил мывэм къыщIыхиIущIыкIыфари, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, Црым Руслан, КIыщ Мухьэдин сымэ абы и сурэт щIатхари, Жылау Нурбий, IутIыж Борис, Щоджэн Леонид сымэ хъуэхъу усэкIэ зыкъыщIыхуагъэзари адыгэлI щэджащэм лъэпкъым хуилэжьар арщ. Быдэу си фIэщ мэхъу дэ ди яужь къиувэну щIэныгъэлIхэмрэ тхакIуэхэмрэ дяпэкIи Зырамыку и гъащIэмрэ гуащIэмрэ мызэ-мытIэу зэрытетхыхьынур. Зырамыку къызэралъху махуэрэ и щхьэм кърикIуар зэрыщыту тхыдэщ, драмэщ, тхыдэм къыхуалъхуа дэтхэнэ зы лIы Iущми хуэдэу. Абы и щыхьэтщ тхыгъэ хьэлэмэт хъуа Зырамыку и «Гукъинэжхэр». Ди адыгэ щэнхабзэм и тхыдэм увыпIэ хэха щиубыдын хьэзыру къалъхуа Зырамыку, ар езым пасэу къыгурыIуэжа хуэдэ, сакъыу, зыкIэлъыплъыжу, зыхущIегъуэжын лъэпкъ имылэжьу мэпсэу, зыхалъхуа зэманыр «цIантхъуэрыгъуэу» екIуэ- кIа пэтми. Илэжьри зыхуилэжьри ищIэжу гъащIэр ирехьэкI. Ар насыпышхуэкъэ?! Зырамыкурэ Жанпагуэрэ Севастополь щыIэу. 1960 гъэ Зырамыку щалъхуа жылэр пщышхуэ жылэщ, Жанхъуэт и къуэ Кушыку и къуажэ ЖанхъуэтхьэблэкIэ зэджэу щытарщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, абы тхыдэм, хабзэм, лIыгъэм пщIэ лей щыхуащIу къогъуэгурыкIуэ. Арагъэнщ лъэпкъыр зэрыгушхуэ лIыфI куэд — Акъсырэ Залымхъан, Сонэ Башир, Болэ Мурат, Яхэгуауэ Михаил, Мысачэ Петр, Мысостышхуэ Пщызэбий, Црым Руслан, Жьанэ Мурат, Мэкъуауэ Мурат сымэ хуэдэхэр — Псыгуэнсум къыщIыдэкIыр. СОКЪУР Валерэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25424.txt" }
У-Къардэн-жыр къызэфIэмыщIэжт! Дуней псом зы адыгэ тету къыщIэкIынкъым КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зэхэзымыхарэ ар фIыуэ зымылъагъурэ. Зырамыку хуэдэ лIы щэджащэхэр илъэсищэ къэс зэ къызыщIэхъуэ лъэпкъым и насыпщ. Къызыхуалъхуар лъэпкъыр игъэгуфIэну, игъэбжьыфIэну арати, а къалэн лъапIэр гъэзэщIэныр пасэу, щIалэ дыдэу щIэзыдза Зырамыку щIыхуэ къытехуауэ жызыIэфын адыгэ уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум къыдэбгъуэтэну къыщIэкIынкъым. Илъэс 60-м щIигъуауэ КъардэнгъущI Зырамыку гурэ псэкIэ хуолажьэ адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ. Ауэ сытми хуэлажьэ къудейкъым — ищIэр хъууэ, абы ищIам ущIытеIэзэщIыхьыжын щымыIэущ ар сытым дежи зэрылажьэр. И художественнэ тхыгъэхэми и хъыбар къэIуэтэжыкIэхэми «КъардэнгъущI» дамыгъэр ятелъщи, а лъэпкъ дамыгъэр зыхэбгъэгъуэщэн щыIэкъым. Ар зейр Зырамыкущ! ЩIэныгъэлI КъардэнгъущIым зэхуихьэсыжа хъыбарыжь, уэрэдыжь къомыр-щэ! Ахэр адыгэ щэнхабзэм и пхъуантэдэлъ мыкIуэдыжыну игъащIэ псокIэ ди лъэпкъым бгъэдэлъыну мылъкушхуэщ. Абы адыгэ уэрэдыжьхэр уахътыншэ зэрищIар-щэ! Зырамыку ахэр зэригъэзащIэм хуэдэу жызыIэфын диIауи диIэнуи фIэщ щIыгъуейщ. Ар уэрэджыIакIуэ къудейкъым — уэрэдхэм езым и псэр яхелъхьэ, и бзэр яIурелъхьэри, ахэр тхыдэIуатэ псэлъэгъу телъыджэ къыпхуещI. А IуэхумкIэ Зырамыку зебгъэщхьыну ухуежьэныр щхьэгъэпцIэжщ. А цIыху хьэлэмэтым ещхьу уэрэд пхужыIэн щхьэкIэ… етIуанэу мыхъуу, езы КъардэнгъущI Зырамыкуу ущытын хуейщ — абы и псэр пIуту, и гур, и макъыр уиIэу. Апхуэдэ къэхъу щымыхабзэкIэ, зы Зырамыкущ дэ зэкIэ диIэр. Мис а Зыр дыхуэсакъыу тхъумэу, абы хуэмыфащэ пщIэрэ щIыхьрэ щыIэкъыми, ахэр лъыдгъэсу, зыхуей хуэдгъазэу дяпэ идгъэтыну къилэжьащ. Зырамыку Къардэн-гъущIкъым, атIэ нартхэ я гъукIэ Лъэпкъ и кIыщым щапсыхьа Къардэн-жыр къызэфIэмыщIэжщ. Алыхьым къызэрихъумамрэ зэрыжыр быдэмрэщ илъэс 90 ныбжьым ар къытхуэзыхьэсар. ЕЛГЪЭР Кашиф. 2008 гъэ Дакъикъэ бжыгъэ дэкIмэ, хьэщIэхэр къэсынущ. УсакIуэ КIуащ БетIал Iэнэр егъэхьэзыр. Абы къыбгъэдэтыр Зырамыкущ. Хьэсэней. 1955 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25430.txt" }
Iуащхьэмахуищ Зырамыку дэрэ дызэроцIыху 1946 гъэм и гъэмахуэ лъандэрэ. Дызэрогъэныбжьэгъу. Пединститутым зы илъэс щезгъэджащ. Илъэс куэдкIэ щIауэ щIэныгъэхутэ институтым дыщызэдэлэжьащ. IуэрыIуатэ зэхуэтхьэсу экспедицэ зыбжанэ дыздыхэтащ — Адыгейми, Шапсыгъми, Шэрджэсми. Тхыдэм къыхэнэжын лэжьыгъэшхуи зэдэтщIащ. Си гугъэщ КъардэнгъущI Зырамыку соцIыху, жысIэмэ, фыкъэзмыгъэпцIэну. … Доуэри, Адыгейм IуэрыIуатэщыпэ дыкIуэну дожьэ «РАФ» дахэ цIыкIум дису. Дынэжэгужэщ. Доуэршэр, дызэрогъэдыхьэшх. Зырамыку къытхилъхьэ щымыIэу жьантIэм дэсщ. Бахъсэн дыдож, Псыхуабэ дыблож… ДокIуэри-докIуэ, докIуэри-докIуэ… Ди гукъыдэжри, ди гушыIэри, ди хъыбархэри Армавир нэсщ зыхурикъуар. Дешащ, дыулэуащ. Армавир деж къыщыбгъэшу дэбунэтIея нэужь, игъащIэкIэ Мейкъуапэ унэмысын хуэдэу къыпфIощI. Нэхъ щIышхуэ зэпыпчыхукIэ, Мейкъуапэр нэхъ жыжьэ мэхъу. Зырамыкурэ абы и щхьэгъусэ Жанпагуэрэ 1955 гъэ Мис абдей дыдэращ Зырамыку зыкъыщызэкъуихыр. Япэ щIыкIэ псалъэншэу макъамэ дахэ дыдэ къоIу. Хэти зэхех, хэти зэхихыркъым. Ауэ абы уIэщIэкIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Дакъикъэ, дакъикъитI докI… Иджы псори додаIуэ, ауэ щхьэж и псэмкIэ едэIуэжу аращ. Ар болъшевич табу зытелъ уэрэдхэм ящыщщ, радиокIи жрамыгъэIэу, концертхэми хамыгъэхьэу, уи щхьэм хужыпIэжу зэхахамэ, уагъэсысыну: ИпщэкIэ сыныдэплъеймэ, КIэмунэхэр пшагъуэ гуэрэнти: Дотэхур шу гуэрэнышхуэу КубанскэмкIэ екIуэкIыжа мыгъуэщ. Уэрэдыр къыдгурыIуэу зэрыхуежьэу, машинэм ис псори зы псэкIэ дедаIуэу ди псэр къыхегъэхьэж. Гъуэгу нашэкъашэри тщегъэгъупщэж. Зырамыку хъыбар дыхьэшхэну ищIэм гъуни нэзи иIэкъым. Ауэ Мейкъуапэ ущыкIуэкIэ абы нэхъыбэу игу къэкIыжыр сыт? — адыгеибзэмрэ къэбэрдеибзэмрэ щызэтекIхэм деж къэхъу гъэщIэгъуэнхэращ. Дэри нэхъ хьэлэмэт къытщыхъуауэ щытахэр игу къэдгъэкIыжурэ жыдогъэIэ. Еуэри, — жи езыми, — абазэхэм выгу тIощIырыпщI хъууэ чырэ яшэрт. Ахэр здэкIуэмкIэ зы шу цIыкIу къикIырти, нэхъыжьым нэхъыщIэр егъажэ: «Жэт, тIу, Уарп лъэмыж телъмэ еупщIыт», — жеIэри. НэхъыщIэр мажэри йоупщI. Шур къэбэрдейуэ къыщIокIри, «телъкъым» къыжреIэ. ЩIалэр Iэнкуну къокIуэж. «Сыт шум жиIар?» — жи нэхъыжьым. «Уэлэхьи, къызгурымыIуа!» — жи, и дамэр дрешей. «ЖиIар сыт, зоIэ!», «Телъкъым жиIащ». «Телъ, жиIамэ аращ, «къымым» къикI щыIэкъым: фынеуэ адэ», — жиIэщ нэхъыжьми гупыр иришэжьэжащ. Уарп нэсхэри — лъэмыж темылъу къыщIэкIащ! «Пу, алаурсын! — жиIащ, жи, абазэхэ нэхъыжьым. — Ар дауэ бзэ: телъым зыри къимыкIыу, псори къызэрыкIыр «къымырауэ!» Зырамыку и къуэ Николай (1940 - 1979 гъгъ.) Псори дыкъыщеуд абыи, дызэщIодыхьэшхэ. ГушыIэр апхуэдизу дыхьэшхэну аратэкъым, ар дыхьэшхэн зыщIыр Зырамыку и гушыIэкIэрат. Абы и гушыIэн къыщикIам деж, «уэшх къошх» жиIами, умыдыхьэшхынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Зырамыку и зачетхэм щыщу щы къудей дыкъытеувыIэнщи, абы нэрылъагъу къытщащIынщ ар. СыщIалэтанэу, хьэмым сыкъикIыжри (1946 гъ.), хьэщIэ диIэу сыкърихьэлIэжащ — КъардэнгъущI Зырамыкурэ Жыгун Тимэрэ ди пэш ипщэм щIэст, зыгуэр ятхыу. Адыгэ труппэм спектакль къашэри Хьэтуей къэкIуауэ арати, зэрыхабзэу, артистхэр унэ-унэкIэ щытрагуашэм, дэ мы тIур дгъэхьэщIэну къытлъысат. А зэманым цIыхур къулейсыз дыдэ хъуа пэтми, артист хьэщIэ зыхуэхъуа унагъуэр гуфIэрт, уеблэмэ загъэщIагъуэрт. Абы щыгъуэ артистыр зэрагъэлъапIэу щытам хуэдэу, нобэ зы къулыкъущIи, зы хьэрычэтыщIи ягъэлъапIэркъым. Арати, сэри сыукIытэу, зыспIытI-зысхузу сыщIыхьэри сэлам есхащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, Зырамыкурэ Тимэрэ КъардэнгъущIым и пьесэ «Андемыркъаныр» урысыбзэкIэ зэрадзэкIыу арат, обкомым щIэс къулыкъущIэ гуэрхэр къеджэу, тхылъым и унафэр ящIын щхьэкIэ. Ауэ мы зэм «Андемыркъаным» и Iуэхур къэзылъахъэр нэгъуэщIт. А лъэхъэнэм идеологиер зыIэщIэлъар Диденкэ Алексей жаIэри щхьэзыфIэфI гуэрти, абы и шынэхъыжьми Андемыркъан теухуауэ пьесэ итхауэ къыщIокIри, хэдэн хуей мэхъу. Шэч къытевмыхьэ игъащIэм зы диалог е зы сюжет зымыухъуа Дидиенкэм нэхърэ Зырамыку драматургием тIощIкIэ нэхъыбэ зэрыхищIыкIым, IуэрыIуатэмрэ адыгэ тхыдэмрэ зэрыщыгъуазэм и гугъу умыщIыххи. Ауэ обкомым ар кърадзэркъым. Дидиенкэ и щхьэ Iуэхур трагъакIуэри, КъардэнгъущIыр къыпрагъэхащ. АрщхьэкIэ, Дидиенкэм и «Андемыркъаныр» большевичым ягъэдурысами, цIыхум ящтакъым: лъэс къабзэщ жыхуаIэм хуэдэт сыт и лъэныкъуэкIи — режиссерми артистхэми сыт ямыщIами ар гъуазджэм нагъэсыфакъым. Зырамыку и къуэ Мартин (1950 - 1990 гъгъ.) Мыр дигу къэдгъэкIыжын хуей щIэхъуаращи, КъардэнгъущIым и «Андемыркъаныр» и сюжеткIи, и образ гъэпсыкIэкIи, дуней еплъыкIэкIи IуэрыIуатэхэкIт, зытхам и щIэныгъэм къызэрыхуэIэткIэ къэIэтауэ. А пьесэр икIи къагъэлъэгъуакъым, икIи къытрадзакъыми, нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьыфынкъым. Ауэ къыжыIэн хуейщ «Андемыркъаным» и япэкIи иужькIи Зырамыку литературэ тхыгъэу къыIэщIэкIам лъабжьи псэи яхуэхъуар IуэрыIуатэрауэ зэрыщытыр: «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ», «Хъуэжэ», «Мыщэ шу», «Ныбжьэгъу пэж», «Къэбардэрэ Алътудрэ»… IуэрыIуатэр Зырамыку бзэ гъэпса хуэхъут, жьыми щIэми ягурыIуэу: литературэр къыщыхъу зэманым, тхылъ еджэным, спектакль еплъыным нэмыса цIыхур щэнхабзэщIэм ешэлIэнымкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэт. Ар зы жыIэт. ЕтIуанэу, адыгэ уэрэдыжьыр къиIэтыжу радиом, телевиденэм, концертхэм щIэзыхьар КъардэнгъущI Зырамыкущ. 1957 гъэм Къэбэрдей радиом адыгэ уэрэдыжьхэм я зэпеуэ иригъэжьат. Зырамыку игу къэкIыххэртэкъым а зэпеуэм хыхьэну. Мыбы и пэкIэ хьэгъуэлIыгъуэхэм, ныбжьэгъу зэхэсхэм щыжиIэ хъумэ, абы радиокIи концерткIи уэрэд игъэIуатэкъым, уэрэдгъэIууи зилъытэжыртэкъым, хэкуми уэрэдгъэIуу къыщацIыхуртэкъым, драматургыу, артисту, IуэрыIуатэ зэхуэхьэсу мыхъумэ. Ауэ, ди насыпти, КIуащ БетIал мыгъуэм Зырамыку и зэчийр къыгурыIуэщ аби, лъэщыгъэкIэ, жыхуаIэм хуэдэу, а зэпеуэм хишащ. Арати, радиом и хорыр ежьууэ КъардэнгъущIым уэрэдищ ирегъэтх: «Сэрмахуэр», «Нартыжь уэрэдыр», «Хьэтхым и къуэ кIасэм и уэрэдыр». Ахэр япэ дыдэу радиокIэ къыщатым зыхэзыхахэм сэри сащыщщ. Сэ абы япэкIэ адыгэ уэрэдыжьым апхуэдиз лъэщагърэ дахагъэрэ къакъуэкIыну къызжаIами си фIэщ хъунтэкъым. Апхуэдизу си псэр зытхьэкъуа уэрэд зэхэсхатэкъым! Нобэми ныжэбэми а уэрэдищыр си гум дыгъэрэ мазэу илъщ, къыкъуэкI къухьэжу. Нэхъ иужьыIуэкIэ абыхэм къапыуващ «Нартыгу и уэрэдыр», «ГъущIыпсэ и тхьэусыхафэр», «Бэдынокъуэ и пшыналъэр», «Жансэхъухэ я тхьэусыхафэр», «Хьэтхым и къуэ Мыхьэмэт», нэгъуэщI Iэджи. Зырамыку и къуэ БетIал (1952 - 1987 гъгъ.) Мис а гъэм (1957) КъардэнгъущI Зырамыку Къэбэрдей псом уэрэдгъэIу цIэрыIуэ щохъу, и уэрэд къыщаткIэ, цIыхухэм я Iуэху къагъанэрэ едаIуэу. Ауэ фимыгугъэ Зырамыку и уэрэд гъуэгур тынш цIыкIуу ежьауэ. Зи гугъу тщIа зэпеуэм и жюрим дадэарэзыуэ япэ увыпIэр КъардэнгъущIым къыхуагъэфэщащ, арщхьэкIэ абы къилэжьа хъупхъапщIэр (призыр) къратакъым: зыгуэрхэм яфIэфIтэкъым Зырамыку и цIэр Iууэ, и пщIэр хэхъуэу. Фэ къывгуроIуэ сэ «зыгуэрхэм» щыжысIэкIэ абы мэкъумэшыщIи, егъэджакIуи, шофери, пхъащIи, ухуакIуи, дохутыри къызэримыкIыр. Апхуэдэурэ унафэ мышу зыщIынкIэ хъур къулыкъущIэщ. Алыхьым и шыкурщ политикэр зэчийм зэрыпэмылъэщыр: хуей-хуэмейми, 1961 гъэм Шортэн Аскэрбий и жэрдэмкIэ, КъардэнгъущI Зырамыку «Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Зырамыку адыгэ уэрэдыжьым къыхуигъэушащ уэрэдгъэIу Iэзэхэу Къуныжь Хьэждал, Уэтэр Анатолэ, Мэремыкъуэ Хъусен, Бэрэгъун Владимир, Тут Заур, нэгъуэщIхэри. Нобэ адыгэ уэрэдыжьым нэхъ лъапIэ уэрэд лIэужьыгъуэ лъэпкъым диIэкъым — дяпэкIэ зэрыхъунур Тхьэм ещIэ. Сэ Алыхьым солъэIу КъухьэпIэмрэ Урысеймрэ къикI джэду уэрэдхэм дыщихъумэну! ЦIыхур къалъхуа иужь, езыр-езыру зиужьын щхьэкIэ, и бынжэр пыупщIын хуейщ. Щэнхабзэм и бынжэр пымыупщIамэ нэхъыфIщ: къэзылъхуа анэм — цIыхубэм илъ къыщIэмылъэдэжмэ, ар псынщIэу хамэ мэхъу. Нобэрей адыгэ щэнхабзэм и бынжэр псэууэ, лажьэу къэзыгъэнахэм язщ КъардэнгъущI Зырамыкуи. Ар, шэч хэмылъу, Зырамыку и Iуащхьэмахуэщ. КъардэнгъущIым и насып ещанэр щIэныгъэхутэ лэжьыгъэрщ, нэхъ гъэбелджылауэ жыпIэмэ, IуэрыIуатэм и зэхуэхьэсынымрэ тхылъу къыдэгъэкIынымрэщ. Уэрэду, хъуэхъуу, усэу, псалъэжьу, къуажэхьу, таурыхъыу, хъыбарыжьу, гушыIэу, къинэмыщI IуэрыIуатэу абы и гум щызэтрихьар тхылъ зыбжанэ хъунщ. Дэ дылъэпкъ лъэщу, ди Iущыгъэр хурикъуу щытамэ, ахэр, зы налъи дэдмыгъэхуу, магнитофонкIэ ттхыжынти, том-тому къыдэдгъэкIыжынт, «Зырамыку и IуэрыIуатэр» жиIэу. Си Iуэхут ар зэбгрымыкIмэ. АрщхьэкIэ, дылъэпкъ тхьэмыщкIэщи, апхуэдиз дигу къэкIыркъым икIи тхузэфIэкIыркъым. 1954 гъэм Шортэным КъардэнгъущIыр хешэ IуэрыIуатэ зэхуэхьэсыным. Абы иужькIэ Зырамыку хэмыту экспедицэ куэд иригъэжьакъым ди щIэныгъэхутэ институтым. Профессор Яковлев Н. Ф., Шортэн Аскэрбий, КIуащ БетIал, Балъкъэр Борис, Албэч Iэуес, Щоджэн Хьэзешэ, Чэрим Мухьэз сымэ я гъусэу Iэджэрэ щIищыкIащ Къэбэрдейри, Мэздэгури, Адыгейри, Шэрджэсри, тенджыз Iуфэ Шапсыгъри. Нэхъ иужьыIуэкIи дэ нэхъыщIэхэм тхьэмадэу къытхэту а хэкухэм къыщыддэлэжьащ Зырамыку, уэрэдхэр, макъамэхэр, хъыбарыжьхэр, хъуэхъужьхэр, таурыхъхэр итхыжу. Мы IуэхумкIэ КъардэнгъущIым хузэфIэкIар бжыгъэкIи къэплъытэ хъунущ — ар Iэджэ мэхъу, ауэ сэ гу зылъывэзгъэтэнур нэгъуэщI лъэныкъуэщ. IуэрыIуатэ зэхуэсым къыдежьащ IуэрыIуатэпцIри: IуэрыIуатэр «ирагъэфIэкIуэн» нэхъ «бей» ящIын, уеблэмэ пцIы ираупсын, ахъшэ къралэжьын мурадкIэ, хэпщэфIыхьхэр икъукIэ зэранышхуэ хуохъу щэнхабзэм и тхыдэм. IуэрыIуатэ зэхуэхьэсынми къыдэгъэкIынми Iэбжьанэ фIей егъэкIуэлIэн хуейтэкъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ди IуэрыIуатэ зэхуэхьэсхэми къахэкIащ апхуэдэ «патриот». Абдежи къыщыувыIэркъым ар, уеблэмэ «теорие» ящIауэ щытащ: советскэ IуэрыIуатэр нобэ къалъхуу аращи, дэ акушеру дыщытыпхъэщ: иджырей IуэрыIуатэр «Нартхэм» нэхърэ нэхъыкIэ хъун хуейкъым!» — жаIэу. Ар Урысейм къыщежьа гупсысэкIэт, Сталиным и Iужажэхэм къагупсысауэ. КъардэнгъущIым зэи хуэгъэдурысакъым апхуэдэ пцIыр: абы итхыжа псори къабзэу, щымыщ хэмыхьэу, «емыгъэфIэкIуауэ», зэрыжаIам хуэдэу къызэтенащ. Ар фIагъышхуэу къэлъытапхъэщ. Зырамыку зэхуихьэса IуэрыIуатэм дэ нобэ сыт и лъэныкъуэкIи дзыхь худощI. Апхуэдэщ абы къыдигъэкIа IуэрыIуатэ тхылъхэри. Абыхэм ящыщу плIым я цIэ къисIуэну сыхуейт: (1) «Адыгэ IуэрыIуатэхэр» (томитIу), Налшык: япэрей томыр — 1963, етIуанэрейр — 1967, (2) «Адыгэ псалъэжьхэр» (томитIу) Налшык: япэрей томыр — 1965, етIуанэрейр — 1967; «Нартхэр. Адыгэ лIыхъужь эпос.» М., «Наука», 1974; «Адыгские песни и инструментальные наигрыши», М., «СК»; япэрей томыр — 1980, етIуанэрейр — 1981, ещанэрейр (IыхьитIу) — 1986-1990, еплIанэрейр — 1989. Етхуанэр дяпэкIэ къыдэкIыну дыщогугъ. Псом хуэмыдэжу ехъулIэныгъэшхуэр иужьрейращ. Лъэпкъым уэрэдрэ къызэрыфэ макъамэу иужьрей зэманым къихьэсам я нэхъыфIхэр къыхэщыпыкIауэ ярытщ томитхум. Ахэр щIэныгъэм къихута нэхъ Iэмал щыпкъэхэм тету нотэкIэ ятхащ, урысыбзэкIи зэдзэкIащ. Хэзыгъэгъуазэ тхыгъэри хъыбархэри ярытщ. Мыри КъардэнгъущIым и Iуащхьэмахуэхэм ящыщ зыщ. Дэ дяпэ апхуэдэ антологие зыщIыфа къэралышхуэм исакъым зы лъэпкъ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэр сыт щыгъуи адыгэщ: мы тхылъ щэджащэм хуэфащэ пщIэ лъэпкъми, Правительствэми, щIэныгъэлIхэми, композиторхэми, тхакIуэхэми хуащIыфакъым. Уеблэмэ тхылъыр зытхахэм Тхьэм уигъэпсэу яжезыIэн къахэкIакъым. Ауэ абы щхьэкIэ зыми зигъэгусэу тIысыжакъым: лэжьыгъэр ноби йокIуэкI. * * * КъардэнгъущIым и Iуащхьэмахуищым язри зылI ирипэгэну ирикъунт. Дэ дощIэ — Бещто нэхърэ нэхъ лъагэ зимыIэ Iэджэм я бгъэр кърагъэкI, дэ тхуэдэ дэнэ щыIэ жыхуаIэу. Iуащхьэмахуищ иIэ пэтми Зырамыку зигъэщIагъуэркъым, и бгъэри къригъэкIыркъым, афэрыми къилъыхъуэркъым. Дэ тхуэдэ зыуэ зилъытэжу къытхэтщ. НАЛО Заур. 2003 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25434.txt" }
Лъэпкъым и набдзэ КъардэнгъущI Зырамыку 1948 гъэм ди институтым щылэжьэну къыщыкIуам щыгъуэ и ныбжьыр илъэс 30 ирикъуауэ арат. Ауэ а зэманым ирихьэлIэу абы къызэринэкIат Хэку зауэшхуэр — зэуэнри, гъэрэщым исынри, къикIуэсыкIыжу аргуэру зауэ IэнатIэм пэрыувэжынри, уIэгъэ хьэлъэмрэ фэбжьымрэ къадэкIуэу. Илъэс 55-рэ хъуауэ Зырамыку тхьэхуэлажьэу адыгэ лъэпкъым и фIагъыр къэзытIэщIыж щIэныгъэ IэнатIэм пэрытщ — емызэшу, имыкIуэту, нэгъуэщIхэм я дежкIэ щапхъэ гъуэзэджэу, нэхъыбэ зыщIэну щIэкъухэм я дежкIэ щIэгъэкъуэн щыпкъэу, фIы зи мурад псоми я хъуэпсапIэу. А зэман кIыхьым къриубыдэу адыгэ IуэрыIуатэм ехьэлIауэ зы лэжьыгъэшхуэ дунейм къытехьакъым, КъардэнгъущI Зырамыку ар зыгуэркIэ емыгъэщIылIауэ. Ар яхэтащ 1951 гъэм къыдэкIа «Нартхэр» тхылъышхуэр зыгъэхьэзырахэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр зэрыт тхылъыр къэзыгъуеяхэм, нэхъ иужькIэ нарт эпосым, хъыбарыжьхэм я нэхъ дахэ зэрыт тхылъ зыбжанэ къыдэзыгъэкIахэм. Зырамыку и фIыщIэщ томитI хъууэ зэхэт «Адыгэ IуэрыIуатэхэр» тхылъыр, том зыбжанэу зэхэт «Адыгские песни и инструментальные наигрыши», нэгъуэщI зыбжани нобэ зэрыдиIэр. Тхылъ щхьэхуэу КъардэнгъущIым къыдигъэкIыжащ ди уэрэдыжьхэр (1969 гъэ, 1979 гъэ, 1993 гъэ), адыгэ джэгуакIуэшхуэ Лашэ и усэхэр (тIэуней — 1967, 1993 гъэ). Иджы дыдэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ адыгэ лIыхъужь уардэ Андемыркъан теухуа хъыбархэмрэ уэрэдхэмрэ щызэхуэхьэса, къэхутэныгъэ щыпкъэ зи гъусэж тхылъ гъэщIэгъуэныр. Мы къыжытIэхэр нэхъ къэпщытэгъуафIэхэращ. Ауэ сыт хуэдэ псалъэ уиIэн хуей а лIы телъыджэм радиокIэ игъэхьэзырурэ иригъэкIуэкI нэтын бжыгъэншэхэр, абы уэрэдыжьу игъэзэщIар, уэрэду, хъыбарыжьу, лIыхъужьыцIэу къыдихыжар, абы и макъ къудейм ди лъэпкъэгъуу псэ зыхилъхьэжахэр къэппщытэн щхьэкIэ! Илъэс 85-р ныбжь цIыкIукъым, ауэ нобэ дгъэлъапIэ лIы уардэм лъэкIари мащIэу пхужыIэнукъым. МымащIэм къыщынэркъым, атIэ езы Зырамыку нэмыщIу ар зыхузэфIэкIын щымыIэххэу къыпфIощIыр. Абы итхыжа IуэрыIуатэ щапхъэхэр, къыдигъэкIа тхылъхэр, итха пьесэхэмрэ рассказхэмрэ, иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр, радиокIэ, телевирозкIэ игъэхьэзыр нэтын дахэхэр, сценэм иту, ауэ цIыхубэм хэту къиIуэтэжа хъыбархэр, таурыхъхэр, сыт щыгъуи абы къыдалъагъу цIыхугъэшхуэр, лIыгъэр, нэмысыр — а псори адыгэ лъэпкъым ди зэхуэдэу, нэгъуэщI щIыпIэ щыдмыгъуэтыну фIыгъуэшхуэщ. Абы хуэдэ гуащIэшхуэрэ зэчий къызэрымыкIуэрэ зыхэлъ цIыхухэр зиIэ лъэпкъым набдзэ иIэщ, Зырамыкуи адыгэ лъэпкъым и набдзэщ. ФIыуэ укъэзылъагъу уи лэжьэгъухэу ДУМЭН Хьэсэн, ГЪУТ Iэдэм, ЦIЫПIЫНЭ Аслъэн. 2003 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25442.txt" }
Дзапэ уэрэд яжреIэ ГъащIэм фIыщIэ хуэпщIу, ухуэарэзыуэ упсэуным а зыр урикъунщ КъардэнгъущI Зырамыку пцIыхуу, удэлажьэу мы дунейм утетыну. Мызэуи мытIэуи сэ къысхуихуащ Зырамыку и гъусэу гъуэгу сытехьэну, ди къуажэхэм, Адыгейм, Шапсыгъым дыкIуэу, нэхъыжьхэм депсэлъэну. Зырамыку къэзыцIыхухэр IэплIэешэкIт, ар и хъыбаркIэ фIэкIа зымыщIэхэм зыкъригъэцIыхуамэ, я нэм, я псэм хуахьырт. Плъагъуну фIэкIа ухуейтэкъым ахэр зэрыгуфIэмрэ я нэхэм хуабагъэ-гуапагъэу къыщIэувэмрэ. Зырамыку дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэм дежкIи хьэщIэ лъапIэт, здагъэтIысынур ямыщIэу. КъардэнгъущI Зырамыку уэрэд зыжриIэр цIыхухэм, адыгэхэм ди закъуэкъым. Ар жыг хадэ къэзыгъэкI, зезыхьэ емызэшыжщ. Зырамыку и жыгхэм дзапэ уэрэд яжреIэ икIи я гъунэгъухэм я жыгхэм гъаблэ дахыу, зы хъурей къыщыпэмыкIэми, абы ейхэр гъатхэ къэс, лIы щхьэпэм къыхуэгуфIэу, къотIэпIри къогъагъэ, бжьыхьэм фIэхуэр фIэлъу мыIэрысэхэмрэ кхъужьхэмрэ зыщIаблэ, ину, къабзэу, джабэплъ хъужауэ. Ар Зырамыку зызригъэлIэлIар къелIэлIэжу аращ. МАФIЭДЗ Сэрэбий. 2003 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25444.txt" }
ХэкулI Лъэпкъ псом ягъафIэ хэкулI щытепсэлъыхьым и деж, псалъэм я нэхъ IэфIхэмрэ гуапэхэмрэ гущIэм къралъыхъухь хабзэщ. Шэч хэлъкъым КъардэнгъущI Зырамыку и махуэшхуэм теухуауэ «Адыгэ псалъэм» зэхиша лIыбэрыхъуэхъум апхуэдэ куэд зэрыхэтынум. Ар хъарзынэкъэ-тIэ! Зэпэбжьауэ, зэхущIэджэ, зэпщэфыIэ, зэрыукI мыхъумэ, гуапагъэ лъэпкъ зытемылъыжу къыпщыхъу мы дунеижьыр абы нэхъ зыхущыщIэ щыIэкъым, дауи, иджыпсту. Пэжщ, къыщыхъуи щыIэщ, зыгуэрым дыщытхъуну щIэддзэмэ, дыщIихьэIуэу щедгъэлей, игъэлъэпIэным и пIэкIэ, а зи гугъу тщIыр дыхьэшхэн зыщIэхъукI псалъэшхуэ нэд куэдыIуэ щыжытIэ. Ауэ фи фIэщ зэрыхъун, Зырамыку елъэгэкIын хъуэхъу дэ нобэ тхужыIэну къыщIэмыкIын. Сыту жыпIэмэ инщ икIи бгъуфIэщ абы и IуэхущIафэри. Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэ IуэхущIафэхэм я инагъыр дэ къабыл щытщIри гуапэ дыдэу дытепсэлъыхьын щыщIэддзэри а псалъэхэр зыхуэгъэзам щызэхимыхыжынум дежщ. Аращи, девгъэпIэщIэкI гуапагъэ зэжетIэну. ГуапагъэкIэ гъащIэм щигъэкIахэм ящыщкъым КъардэнгъущI Зырамыку езыр. Ар сэ нэхъри хьэкъ сщыхъуащ и гукъэкIыжхэм сыкъеджа иужькIэ. * * * 1918 гъэм Зырамыку къыщалъхуащ Жанхъуэтхьэблэ (Псыгуэнсу) къуажэжьу лIыфI куэдкIэ ди лъэпкъ щэнхабзэм къыхуэупсам. Дунейм къытехьа къудейрэ сабийуэ абы и адэ-анэр щхьэщылIыкIащ. Ауэ адэ папщIи анэ папщIи хуэхъуа и къуэшыфIхэу Мурид, Мухьэмэд, Бэчмырзэ, и шыпхъу Чэниуат сымэ ар трашащ гъащIэ гъуэгуанэм. Абыхэм я жьауэм щIэтурэ, Зырамыку къиухащ къуажэ еджапIэр, зэхыхьагъащIэ колхозым зыкъомрэ щылэжьащ. Ауэ талантыр зэманми къыхужьэдэкъуэркъым, гугъуехьми хуэгъэупщIыIуркъым. Ар натIэ хуэхъуну Тхьэм иухауэ къыщIэкIынти, Зырамыку пасэ дыдэу щIедзэ уэрэд жиIэу, къуажэ клубым щагъэув спектаклхэм щыджэгуу. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, Зырамыку и анэми и къуэш нэхъыжьхэми Iэзэу уэрэд жаIэу щытащ. Абыхэм нэмыщIкIи, пшапэщыс къэкIуахэм зэпеуэу уэрэд щыжаIэ куэдрэ къэхъурт КъардэнгъущIхэ я унэм. ЛъэныкъуэкIэ къыщыту абыхэм щIэдэIу, зримыгъэIэтыщэурэ ядежьу щIалэ цIыкIум абы щыгъуэу къыщIэкIынущ адыгэ уэрэдыжьым и IэфIыр и псэм щыхыхьар. Ауэрэ, 1935 гъэм артист IэщIагъэм щыхурагъаджэрэ ГИТИС жыхуаIэжу Москва дэтым япэ дыдэу къыщызэрагъэпэща Адыгэ студием (иужькIэ цIэрыIуэ дыдэ хъуам) ягъэкIуэнухэм КъардэнгъущIыр хагъэхьэ. Адыгэ театрей гъуазджэм и псыпэр зыгъэжахэу Сонэ Мухьэрбий, Щхьэгъэпсо Мухьэмэд, Сибэч Бы- хуэ, Балъкъэр Калисэ, Тубай Мухьэмэд, ТIыхъужь Алий сымэ зыхэта гуп дыгъэлым ящIыгъуу Москва кIуэри илъэситхукIэ Зырамыку щеджащ а институт цIэрыIуэм, ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ. АтIэми актер къудейуэкъым ар еджапIэ зыгъэкIуа республикэм къызэрыхуэкIуэжар. Студенту щыщыта илъэсхэм абы итхащ «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» пьесэр. А пьесэращ япэ адыгэ студием диплом лэжьыгъэу игъэлъэгъуари, къагъэзэжа нэужь, Адыгэ театрыр къызэрызэIуахари. А 1940 гъэ дыдэм ираджащ Зырамыку, абы щыIэу зауаер къытехъуэри, и кIыхьагъкIэ жыхуаIэм хуэдэу хэтащ, уIэгъэ хьэлъэ хъуарэ етIуанэ гупым хыхьэ инвалид тхылъыр иIыгъыуи къигъэзэжащ. Ауэ гъуазджэр IэщIыб хуэщIакъым итIанэми Зырамыку. И щхьэгъусэ Къурэлей Зулихъани театрым щылажьэрт, гугъуехьрэ хьэзабу щыIэр къызэранэкIауи я гугъэжт. Ауэ гуауэм «сынокIуэ» жиIэ и хабзэкъым. Куэд дэмыкIыу дунейм йохыж Зырамыку и щхьэгъусэ, роль гъэщIэгъуэн дыдэхэмкIэ цIыхур къэзыхьэхуа, ди лъэпкъ гъуазджэр бэкIэ зыщыгугъ Къурэлей Зулихъан. Абы иужькIэ куэдрэ хэтыжыфакъым Зырамыку театрым, — гуауэр инт, гукъэкIыжхэр хьэлъэт… Арати, 1949 гъэм, сценэр ибгынэри, Зырамыку зритащ гъащIэ жьэгу хуэхъуауэ нобэр къыздэсым зи мафIэр къыхуэблэ фольклористикэм. А гъэм щIедзэри КъардэнгъущIыр щолажьэ ди республикэм и щIэныгъэхутэ институтым. Щолажьэ, «щIэныгъэлI нэхъыжь» жыхуаIэ цIэр сыт и лъэныкъуэкIи игъэпэжу. * * * Зырамыку и цIэр фIыкIэ жыпIэ хъунут, лъэпкъ театрыр къэунэхуным, зиужьыным теухуауэ илэжьам фIэкIа абы и гъащIэм хэмытами. Зырамыку бгъэлъапIэ хъунут, Iэщэр иIыгъыу зауэ гъуэгуанэ кIыхьыр, хьэлъэр, псэзэпылъхьэпIэкIэ гъэнщIар зэрикIуам щхьэкIи. Ауэ зы лIыфI щIагъэлъэпIэн хуэдиз апхуэдэ лъэныкъуэ зыбжанэу зэхэлъщ КъардэнгъущIым и цIэрыIуагъэм лъабжьэ хуэхъу щхьэусыгъуэр. ЩIэи гъуни иIэкъым жыхуаIэм хуэдэщ Зырамыку IуэрыIуатэхэкIыу зэхуихьэсыжар. Нарт пшыналъэхэр, хъыбарыжь гъэщIэгъуэныщэхэр, таурыхъхэр, псалъэжьхэр, къебжэкIхэр… ЖыпIэнуракъэ, «Адыгэ IуэрыIуатэкIэ» зэджэу нобэкIэ дызэрыгушхуэ къомыр зэрымыкIуэдыжам, зэрыщыIэм КъардэнгъущI Зырамыку и фIыщIэ ин хэлъщ. ФольклористикэкIэ зэджэ щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ жыпIэмэ, ари мащIэ къехъуэкIынущ абы илэжьам. Зырамыку ящыщщ пасэ дыдэу ТхакIуэхэм я союзым хагъэхьахэм, сыщымыуэмэ. Адыгэ тхакIуэхэм ар нобэ ди нэхъыжь дыдэщ, ди тхьэмадэщ. Зыкъомым ямыщIэнкIи хъунщ, ауэ адыгэ театрым япэ дыдэу ягъэува лъэпкъ пьесэр зытхауэ щытар КъардэнгъущIырщ. Нобэр къыздэсым ди театрым и репертуарым хэтщ а пьесэ хъарзынэр. «Къанщобийрэ гуащэгъагърэ», «Андемыркъан», «Къэбардэрэ Алътудрэ», «Хъуэжэ» жыхуиIэ тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэри Зырамыку и Iэдакъэм къыщIэкIащ, публицист, журналист лэжьыгъэ куэди иIэщ. НэхъыфIыжу жызыIэн Тхьэм къигъэунэху, Зырамыку и пщIэмрэ и щIыхьымрэ абы зыкIи игъэлъэхъшэну къыщIэкIынкъым, ауэ си щхьэкIэ адыгэ уэрэдыжьхэм тепсэлъыхьIауэ щызэхэсхкIэ, сэ зи теплъэ си нэгу къыщIыхьэри зи макъ си тхьэкIумэм итри КъардэнгъущI Зырамыкущ. Шэч къытесхьэркъым «Адыгэ уэрэдыжь» псалъэхэр ди лъэпкъым куэдрэ, куэдрэ зэрызэрихьэнум. «Дыщэ фонд» жыхуаIэм хуэдэ ди радиом иIэу щытмэ, шэч хэмылъу, абы хыхьэ нэхъ пажэхэм ящыщу къыщIэкIынщ Зырамыку къигъуэтыжамрэ гъэщIэгъуэныщэу къиIуэтэжахэмрэ. Абы и макъым, и къэIуэтэжыкIэм хэлъщ къыбдамылъхуамэ зыхэплъхьэфынкIэ Iэмал имыIэу узыIэпызышэ гуэр. А жысIэм щыхьэт тIуащIэ къытехъуэну къыщIэкIынщ, радиокIэ, телевизоркIэ мыхъуу, езы Зырамыку бгъэдэсрэ гу ихакIэ ар гушыIэу зэхэзыха дэтхэнэри. Дауи, насыпышхуэщ лъэпкъ псо зэрыбгъэгушхуэн лъэкIыныгъэ уиIэу дунейм укъытехьэныр. КъардэнгъущI зырамыку нэхъ цIыху насыпыфIэ дыдэхэм яхэбжэн хуейт. Ауэ гъащIэм ар зэи щигъэщIакъым и удынхэм: зыр адрейм кIэлъыкIуэу жыхуаIэм хуэдэу, дунейм ехыжащ абы и бынищри. Уи пкъым къикIа щIалищ уи IэкIэ щIэплъхьэжын жыхуэпIэр — ар хьэлъэ дыдэщ, гу махэрэ псэ махэрэ зиIэ цIыхур къызэмылхэм ящыщщ. Ауэ IуэхущIафэ инхэм хэт цIыхур гъащIэм и удын хьэлъэхэм нэхъ пэщIэтыфу къыщIэкIынущ. Къелауэ ноби лъэпкъым хуолажьэ. IутIыж Борис. 1998 гъэ Зырамыку Мейкъуапэ щохьэщIэ. Ар бгъэдэсщ СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, тхакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ КIэрашэ Тембот. 1956 гъэЗырамыку, Нало Заур, Бэрэгъун Владимир сымэ профессор Гиппиус Е. В. и унэм щолажьэ. Москва, 1978 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25447.txt" }
Лъэпкъым и вагъуэ КъардэнгъущI Зырамыку ПIатIурэ и къуэр щIышылэм и 10-м 1918 гъэм Аруан районым хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ. 1926 гъэм зыщIэтIысхьа къуажэ школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. КъардэнгъущI Зырамыку (10.01.1918 -25.12.2008) 1940 гъэм Зырамыку дзэм къулыкъу щищIэну ираджэ. Ар Хэку зауэшхуэм сэлэту хэтащ. 1945 гъэм КъардэнгъущIым и лъахэм къигъэзэжащ, занщIэуи и лэжьыгъэ IэнатIэм пэрыувэжащ: ар 1948 гъэ пщIондэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и сценэм щыджэгуащ. КъардэнгъущIым адыгэ драматургием и зыужьыныгъэм лэжьыгъэфI хилъхьащ, ар лъэпкъым и уэрэджыIакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыуэ тхыдэм къыхэнащ. 1949 гъэм къыщыщIэдзауэ 1952 гъэм нэс КъардэнгъущIыр Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм щылэжьащ. 1952 гъэм Зырамыку Къэбэрдей къэрал пединститутым щIэтIысхьэри, ар 1956 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къиухауэ щытащ. Абы иужькIэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм илъэсищкIэ редактору щылэжьауэ, 1959 гъэм щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым игъэзэжри, щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу IуэрыIуатэмкIэ къудамэм щыIащ. АдэкIэ и гъащIэ псор а IуэхущIапIэм щигъэкIуащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Пенсэм кIуа нэужьи, и лъэ кърихьэкIыхукIэ, и узыншагъэр пэлъэщыхукIэ, ар институтым иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм гуащIафIэу хэтащ. КъардэнгъущIым лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыным, ахэр джыным, гум дыхьэу гъэзэщIэным теухуауэ. Адыгэ уэрэдыжьхэр цIыхубэм IэщIыб ямыщIыным теухуауэ хузэфIэкIар къалъытэри, КъардэнгъущI Зырамыку 1964 гъэм «КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Адыгэ щэнхабзэмрэ литературэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ Зырамыку тIэунейрэ къратауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъ. ТхакIуэ, IуэрыIуатэмкIэ щIэныгъэлI, уэрэджыIакIуэ КъардэнгъущI Зырамыку «КъБАССР-м и цIыхубэ артист» цIэри хуэфащэу зэрихьащ. КъардэнгъущIыр 1964 гъэм къыщыщIэдзауэ Урысейм и ТхакIуэхэм я союзым хэтащ. Ар 2008 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м дунейм ехыжащ, къыщалъхуа Псыгуэнсу къуажэм щыщIалъхьэжащ. АБАЗЭ Албэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25453.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Гупсысэ кIэщIхэр «И пыIэпхэр къыхуизудащ» «И пыIэпхэр къыхуизудащ» — псалъэхэр сытым къытекIа, ар сыт зищIысыр? Япэм адыгэхэм хабзэу яIащ пцIы зыупсхэм е щэху зыIуатэхэм я напэр трахын щхьэкIэ, абы дзыхь къыхуамыщIыжын папщIэ, абы и пыIэпхэр фочышэкIэ пхахыу е дзасэкIэ пхагъэлыгъукIыу. «И пыIэпхэр къыхуизудащ» жиIамэ, «и напэр тесхащ» жиIэу къикIырт. 1841 гъэм къыдэкIа «Русский вестник»-м и етIуанэ томым абы щхьэкIэ мыр итщ: «Хамэ щэхур зыIуатэм и пыIэпхэр шэрджэсхэм пасэ зэманым пхрагъэлыгъукIыу щытауэ жаIэж. Абы къыхэкIкIэ щэхур зэриIуатэм щхьэкIэ егиинум е ар ягъэикIэнум, «абы и пыIэпхэр пхыудащ» псэлъафэр жраIэу щытащ». Бзэ ЦIыхухэм къагупсыса, яухуа, зэрагъэпэща псоми бзэр ятокIуэж. Абы нэхърэ нэхъ Iэщэ лъэщрэ нэхъ IэщэфIрэ абы иIэкъым. Бзэм и сэбэпкIэ цIыху щхьэ куцIымрэ цIыху акъылымрэ яхэхъуащ, заужьащ, бзэм и фIыгъэкIэ цIыхур гупсысэфи, бэнэфи, текIуэфи хъуащ. Бзэм сыт хуэдэу иригъэфIэкIуа, сыт хуэдэу игъэтынша цIыхухэм я гуащIэдэкIыр. Псалъэхэм дахэплъэжмэ, абыхэм дахэгупсысыхьыжмэ, сыту гъэщIэгъуэн куэд абыхэм къыджаIэфыну. Тхъуэ лъэпкъ Адыгэшыр лъэпкъитI хъууэ щытащ: зыр шагъдийт, адрейр тхъуэ лъэпкът. Тхъуэр къызытекIар и фэракъым, атIэ щIагъапхъуэрэ къыжьэдакъуэжа нэужь, апхуэдизкIэ ар лъэщти, и кIэбдзитIымкIэ щIыр дитхъурт. Мис а зэрыдитхъум къыхэкIкIэ тхъуэ лъэпкъ фIащащ. Хэку «Хэку» псалъэм къикIыр хы зэхуаку жиIэу аращ. Ижьым адыгэхэм я щIыр хы ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ Каспийм нэсу щытащ. Адыгэ хэкури аращ къызытекIар. ГукъэкIыж Жэмри гъырт Мазэ зытхухкIэ фашистыдзэм яIыгъа Зеикъуэ колхоз цIэрыIуэр гъатхэ техьат зэрывэн шыи выи имыIэжу. Ауэ псоми къагурыIуэрт гъатхэм щIым хыумылъхьар бжьыхьэм къызэрумыхьэлIэжынур. Арати, унагъуэ жэмхэр пхъэIэщэм щIащIэн хуей хъуащ. Абы бгъэдэтри лIыжьхэмрэ щIалэ цIыкIухэмрэт. Ди бригадэм пхъэIэщитху игъавэрти, абы выми жэмми 40 щIэщIэн хуейт, абы цIыху 18 егъэбыдылIауэ. Япэ ит пхъэIэщэм и пхъэIэщэжьыр и нэ лъэныкъуэм щIыIуху зэрытелъым щхьэкIэ зауэм ямыгъэкIуа, Зулъкъэрней зи цIэ лIы балигъырт. ВакIуэ гупым ди унафэщIри, Iуэхур зэрекIуэкIымкIэ япэу зэупщIынури арат. Дэ ди унагъуэ жэми хэтт пхъэIэщэм щIащIэхэми, щысхьынущ жаIэрти ар сэ дзыхь къысхуащIыжыртэкъым. А къомыр зэщIэбгъэуIуэу пхъэIэщэхэр ебгъэжьэнырт псом нэхърэ нэхъ гугъур. Ди жэмыр щIэзыщIэну пхъэIэщэм езыхулIа щIалэ цIыкIур абы пэмылъэщу вытIощыщIэм зыIэщIиудри щIэпхъуэжащ. Арати, жэмри мажэ, щIалэ цIыкIури кIэлъожэ. Сытми, щIалэ цIыкIум кIапсэ кIапэр къыIэрыхьа щхьэкIэ, жэмыр хуэмыубыду Iуащхьэ гуэрым зэрызехьэурэ къуэлъэдащ. Зулъкъэрней мэкIий: «Мы Iейр жэмым и гъусэу кIуэцIрыхуаи. Алъандэм зэ дыкъекIуэкIат…» ИтIанэ ар си дежкIэ къогуо: «КIуэи плъэт а чыцIыщхьэм деж. ТIысауэ щысми, тщIэркъыми». Къытпэщылъ махуэ лэжьыгъэр зыхуэдэр сщIэрти, си псэр схуэмыкIуэу, си лъакъуэхэр хуэм дыдэу IуащхьэмкIэ йожьэ. «ПсынщIэу!» — къыскIэлъокIий Зулъкъэрней и макъ тхъунщIа пхъашэм къызэрикIкIэ. Сэ си лъэбакъуэм хэзмыгъахъуэу, нэщхъ сщIауэ сыгъумэтIымэурэ сыкъызоплъэкI. ПхъэIэщэжьым кхъуэхьэнцэ папщIэу иIыгъ бжэгъу кIэщIыр си щхьэмкIэ фийуэ щхьэпролъэтри, си япэкIэ щохуэх. Сэ абы сытоувэри адэкIэ сокIуэ, сызэрымыпIащIэм хуэдэурэ. Iуащхьэм секIуэкIмэ, солъагъу: вытIощыщIэм и кIапсэр шэщIауэ иIыгъыу щIалэ цIыкIур щысщ, и щIыбагъкIэ мащIэу еIэ щIыкIэу жэмыр абы и пащхьэм итщ. ТIури хьэлъэу мэбауэ, зыр адрейм еплъу. «СкIэрыкI, сэ сыкъызыхуалъхуар сывэну аракъым, сылъхуэну, сыкъашыну аращ», — жиIэ хуэдэт жэмым. ЩIалэ цIыкIур гъырт зэщыджэу: «Сэ сыкъызыхуалъхуар мыпхуэдиз хьэзаб сшэчыну аракъым», — жэуап иритыж хуэдэт абы жэмым. — Сыт ущIэгъыр? — соупщI щIалэ цIыкIум. — Еплъыт мобы, — жеIэри щIалэ цIыкIум и щхьэр жэмымкIэ ещI. Сэ сыплъэмэ, жэмым и нэпсыр къыщIэжырт — ар гъырт. Сэ жэмым сыбгъэдыхьэри и пщэм зесшэкIащ. Ауэ сымыгъыу зысIыгъыфащ. А махуэм сэри сыгъыну къызэрыспэщылъыр сщIакъым. «Удэфа» фIащри ди жэмыр дакъэм щIащIащ, си лъэIури хьэ бэнауи кърамыдзэу. Си щхьэмкIэ фийуэ щхьэпрылъэта кхъуэхьэнцэр зи щIыб иджэгухьу махуэ псом дакъэм щIэта Iэщ тхьэмыщкIэр пщыхьэщхьэм вагъэмбэкъум дэукIуриящ. Зулъкъэрней иIыгъ бжэгъу кIэщIымкIэ жэм щылъым зытIущрэ кIэщIэуащ. АрщхьэкIэ зигъэхъеякъым. Сэ схуэшэчыху зысIыгъащ, арщхьэкIэ Iэщ хейм техуэ удыныр нэхъыбэ щыхъум, схуэмышэчу сыбгъэдэлъэдащ: — УмыукI мы ди жэмыр! — ТекIуэт, щIалэжь цIыкIу, уэри къыптехуэну ухуэмеймэ. Ар иджыпсту фи жэмкъым, атIэ колхозывщ. — Уэлэхьи, ди жэммэ икIи уэзмыгъэукIын. — ТекIуэт жысIакъэ! Бригадирыр къэсмэ, нормэмкIэ зэупщIынур уэракъым. Дэ иджыри зэ дыкъекIуэкIын хуейщ. — Зулъкъэрней и бжэгъу кIэщIыр игъэдалъэу шынагъуэу кIийрт. Сэ ар иджыпсту схуегъэщхьыжыртэкъым щIымахуэ кIуам щхьэл сыкъикIыжу къысхуэзэу къыздэIэпыкъуа цIыху гущIэгъулым. Жэмыр лIэрт. Сэ сыгъырт. КъухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ зауэр щекIуэкIырт. Къэрмокъуэ Мухьэмэд. Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр Иордан губгъуэрысхэр (бедуинхэр) зекIуэ зэдожьэ.Маан щIыналъэ, 1903 гъэ ЖыIэгъуэхэр ЩIыхь зиIэм и псалъэр жыжьэ ФIы пхужыIэнумэ, Iей умылъыхъуэ. Хьэпшыпыр зейм уасэри ейщ. Жей хуэлIар щхьэнтэ лъыхъуэркъым. Псышхуэри псынэпсу къежьащ. Псы цIыкIур псышхуэм здехь. Псыр къумым илъадэмэ, бахъэщ. Псынэ здэщымыIэм лъагъуэ щыхаш. Лейр пуд мэхъу. ЩIыхь зиIэм и псалъэр жыжьэ мэIу. Гъуэгу темыхьэр гъуащэркъым. Унафэ зыхуащIыр унафэщIкъым. Къофыгъуэ нэхърэ — къохъуэхъу. Зи Iуэху ефIакIуэм щапхъэ техи, къыпхуэныкъуэм сэбэп хуэхъу. Хъийм икIар хабзэми текIащ. Iуэхур щымыхъум узэджэр гъунэгъущи, уи дзыхь зэбгъэзыр — ныбжьэгъущ. Джэтауэ Исуф. Хъыбар зиIэ псэлъафэхэр Жьындум и фыз къэшэкIэщ Жьындум махуэ къэс фыз къишэрт. Пщэдджыжьым къишэрт, пщыхьэщхьэ зэрыхъуу: «Мыбдежым си щхьэр щылъынущ, мыбдежым си лъакъуэр щылъынущ, мыбдежым си дамэр щылъынущ, уэ дэнэ деж уздэзгъэгъуэлъынур?» — жиIэрти, ирихужырт. Фыз къэшэрейм хужаIэ. Ер вы бжьакъуэм къокI Анзорхэрэ Къуэгъулъкъуэхэрэ я Iэхъушэхэр псы ефапIэм щызэхуэзащ. Къуэгъулъкъуэхэ я гуур Анзорхэ я вым епыджри, иукIащ. Абы къыхэкIыу лъэпкъитIыр бий зэхуэхъури зэзэуащ. Псэлъафэр абы къытекIащ. Фэ фщIэрэ? ПхъащIэ Iэмэпсымэхэр Лъэрыгу — лъакъуэкIэ ягъэлажьэурэ пхъэ къызэрагъэжыхь Iэмэпсымэ. Кхъуэдзэ — пхъэр щаупскIэ мыхъеин щхьэкIэ зрагъэкъур. Джэп — гулъэгу къызэрагъэш Iэмэпсымэ. Гудзэхуэшэ — гудзэIэпэхэр гулъэгу убрууам зэрыхуашэ Iэмэпсымэ. Бдзы — пхъэ къызэрырабзыкI Iэмэпсымэ. Джынасу — пхъащIэхэм, унэ зэтезылъхьэхэм захуагъ-Iушагъыр къызэрахутэ Iэмэпсымэ. Тэрэз — хъурейуэ къызэратхъыхь пхъащIэ Iэмэпсымэ, и кIапитIыр IунэкIэ зэтегъэубыдауэ, адрей тIур папцIэу, зэкIэщIэкI-зэкIэщIыхьэу щыту. Тхъусэ — пхъэм къыхащIыкIыу ящI бжэмышх, шынакъхэм я кIуэцIыр зэрагъэтэмэм, къэгъэша- рэ дзитI зыIут Iэмэпсы- мэ. IэдэIуантIэ — гъущIхэкI сыт хуэдэхэр зыдрагъэубыдэ Iэмэпсымэ. Пхъэпс — унэлъащIэ ящIыну пхъэр джафэу зэраупс Iэмэпсымэ. Пхъэпс бгъунж — пхъэ упсам и гъунэхэр нэхъ лъахъшэу зэрытрах, тхыпхъэ гуэрхэр зэрытрадзэ пхъэпс лIэужьыгъуэ. Пхъэпс кIыхь — пхъэ упсам зэрытеупсыхьыж пхъэпс. Пхъэпсэущ — пхъэпсым хэлъ гъущI Iыхьэр. ПхъэупсапIэ — пхъэпс щеуэкIэ пхъащIэр зыбгъэдэт лъэщапIэ. ПхъэфыщIпхъэпс — пхъэр зэрагъэкъабзэ, ипэ дыдэу пхъэм зэрытеупсыхь пхъэпс. Бжаблэдэч — пхъэпс лъэпкъыгъуэ, лэдэх иращIу. Пхъэх — пхъэ, гъущI хуэдэхэр зэрызэпах, дзэ цIыкIу куэд зиIэ Iэмэпсымэ. ПхъэхзэтещIэ — кIапсэкIэ пэщIэIуантIэ етауэ шэщIа пхъэх псыгъуэ. Пхъэхыбзэ — пхъэхзэтещIэр зэраубзыху, зэрагъэлалэ, зэракъуз кIапсэмрэ пэщIэIуантIэмрэ. Пхъахъуэ — пхъэ зэрагъэджафэ, зэрахъуэ и. Зыгъэхьэзырар Дол Аминэщ. Псалъэжьхэр Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщIэ насып Къуртым щIэлъ джэдыкIэми шкIумпI къыхокI. Лажьэр къэкIуэгъуафIэ щхьэкIэ, кIуэжыгъуейщ. ЛIэныгъэр жьыгъэ-щIагъэкъым. Мазэрэ пэт дыркъуэ иIэщ. Мэл гуартэм и кIуэдыжыгъуэм бжэн къуийр пашэ яхуохъу. Насыпыр хьэщIэщ. Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщIэ насып. Нэм и узыр нахуэщи, гум и узыр щэхущ. Лъэпкъ шхыныгъуэхэр Тхьэвым кIуэцIылъу гъэва джэд Iэнэм хьэжыгъэ тIэкIу трагъэщащэ, пщагъэ зыхэмылъ тхьэвыр и Iувагъыр см 1 — 1,5-рэ, и кIыхьагъыр см 35-рэ, и бгъуагъыр см 17 хъууэ яху, зралъхьэну тепщэчым елъытауэ. ИужькIэ джэд гъэкъэбзар Iыхьэ-Iыхьэу зэпкърахри, бжьыныху-шыгъукIэ яшыу. ИтIанэ тхьэв яхуам джэдыл Iыхьэхэр тралъхьэ, я лъагагъыр зэхуэдэурэ, абы бжьын цIынэ упщIэта, бурш, шыбжий плъыжь хьэжа, джэдгын, къуэн упщIэта, тхъуцIынэ зэпыгъэлъэлъа тралъхьэ. Ахэр щытралъхьэкIэ тхьэвым зэпыупщIыпIэ къыхуагъанэ, зэкIуэцIашыхь, тхьэв кIапитIыр зэтехьэуи, джэдыкIэ уда щахуэурэ зэтрагъапщIэ. Бинтым кIуэцIашыхьри ар псы хуабэ зэрыт тебэм, зэпыгъэпщIапIэр къыдэгъэзеяуэ, иралъхьэ, шыгъу хадзэж. Тхьэвыр псым щIимыгъанэу щытын хуейщ. Тхьэв щIыIум бахъэр къызэрикIын гъуанитI-щы хуащI, арыншэмэ къэчэнущ. ИтIанэ и щхьэр тепIауэ, къэмыкъуэлъащэу дакъикъэ 20 — 25-кIэ къагъавэ, къыхахыжри фалъэ куум иралъхьэ. Бинтыр кIэрахыж, зэпыупщIыпIэхэм хуэзэу Iыхьэу зэпаупщIри, пщтыру яшх тхьэв вам и гъусэу. Хуабжьу къэуатщ, шхыгъуафIэщ. Ар зыхэвыкIа лэпсым хьэлIамэ цIывынэ, хъудыр, хъудыр бэлацэ, нэгъуэщIхэри ирипщI хъунущ. Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ): тхьэву — г 1000, джэдылу — г 700, бжьын цIынэу — г 20, бжьыныхуу — г 40, тхъуцIынэу — г 150-рэ, къуэну — г 20, шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. Усыгъэхэр Иуан Владимир * * * Си гукъеуэхэм сыхэту Сыпсэуну сыхуэмей. Узыншагъэм сыкъыхуэту Хэт мы щIылъэм къыщысхуей? Ауэ щыхъукIэ, зыхэслъхьэнщи Нэхъри лIыгъэр, сытэджынщ. Сэ узыфэр щхьэщысхунщи, Мы си гущIэр згъэхъужынщ. Зэран къыхуэхъур хэт си гъащIэм? ЖысIэу мы си гум соупщIыж. Дунейм щызлэжьыр щысфIэмащIэу, Мы си псэм щэхуу зешхыхьыж. Зэран ухуохъур, пщIэм си гъащIэм? Къэралми цIыхуми уедыгъуам. Пэж къызжумыIэу, къэзлэжь мащIэм, Щыщ мылъку уи жыпым иплъхьэ хъуам. * * * Ехъумэ жьэгур, лъэпкъым и Iэнэу, ХьэщIэм пщIэ хуэзымыщIыр и ауану. Ди нэхъыжьыфIхэм къащIэнащ хабзэу, И бийуэ щытми, къригъэблэгъэну. Зы хъуаскIэ фIэкIа абы къыщымыблэжми, Зы цIыху фIэкIа абы дэмысыжми, Сыт хуэдэ IуэхукIэ уэ абы дыхьэф. Адыгэм жьэгум урегъэблэгъэф. * * * Си зэманыр къебж сыхьэтым, И макъ жэщым къыхоIукI. Сигу псэхупIэ зримытым, ГъащIэ блэжыр къреIуэкI. Си гугъапIэщ сыпсэуну, Мы ди гъащIэр сигу пымыкI. ЖаIэ ар адэ щIэину Сэ а псалъэр сигу схуимыкI. Псалъээблэдз ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. ИпэкIэ ящыгъыу щыта, зи лъэгур пхъэм къыхэщIыкIа вакъэ. 14. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэу щыта, КъБР-м и цIыхубэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ я артист. 15. Пхъэм къыхэщIыкIа бжэмышхышхуэ. 16. Макъамэм хуэщIа, пхъэбгъу пIащIэ цIыкIухэм къыхэщIыкIа Iэмэпсымэ. 17. ЩэкI пхъашэ. 18. « … уджыр ирагъажьэ, зэIэпэгъухэри йоуджэкI, уэ зым си нэр птедиями, нэгъуэщI щIалэхэмкIэ усфIоплъэкI» — ДыщэкI Залымхъан иуса, Тут Заур игъэзащIэ уэрэд цIэрыIуэм щыщщ. 19. Шым и … макъ бом къыщIэIукIащ. 20. Къэзышам и благъэщIэ. 21. Языныкъуэ къэкIыгъэхэм я къыгуэж. 22. Зыгуэр иракIутэн (сэхуран гъэлыгъуа, кIэнфет хуэдэхэр) папщIэ яшыхьа тхылъымпIэ. 23. Фадафэм и унагъуэр … хидзащ. 24. Къэбэрдей тхакIуэ, усакIуэ, тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и лэжьакIуэ. 25. Псыкум хэт щIы Iыхьэ. 26. Пшэ … е удз … . 27. Гъавэ лIэужьыгъуэ. 28. Мэзыкум хэт щIы нэщI. 29. Щхьэгъусэм и шыпхъу. 30. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, абы и кIуэдыжыгъуэм дамэ къытокIэ. 31. УхуакIуэхэм, блын зэтезылъхьэхэм къагъэсэбэп Iэмэпсымэ. 32. Щыблэ щыуэкIэ пшэм къыхэлыдыкI нэхугъэ. 33. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI. 34. Ди къэралым и ищхъэрэ щIыналъэм щыпсэухэм Iэжьэм щIащIэ псэущхьэ. 35. Диным зэрыжиIэмкIэ, дунейм ехыжа цIыхум и псэр абы макIуэ. 36. … уэздыгъэ е без гъэвэжа. 37. ПIастапхъэ. 38. Жыг къэтIэпIам и нэщэнэ. 39. ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и роман. 40. … куэбжэ зиIэ … мастэ щощIэ. 41. Метым нэгъуэщIу зэреджэр. 42. Лъэщ нэхърэ … . 43. Сирием адыгэхэр зэреджэр. 44. … и Iуданэр кIыхьщ. 45. Шейхэдзэ. 46. Дзыгъуэхэм, шындырхъуохэм я хэщIапIэ. 47. Пщым и дэIэпыкъуэгъу. 48. Зауэм щытекIуахэм къаIэрыхьа мылъку. 49. Гъавэ къагъэкIам … къыпэкIуащ. И кумкIэ кIуэуэ: 1. Iэщхэм я тхьэ. 2. Уи бзэкIэ мыпсалъэ цIыху. 3. Зи … исым и уэрэд жеIэ. 4. Дин IуэхукIэ Сауд Хьэрып къэралыгъуэм кIуэуэ къэкIуэжа цIыху. 5. Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ ректору щыта Бэрбэч … . 6. Хьэхэм я пщэм ирадзэ кIапсэ. 7. Шыуанышхуэ. 8. Щхъухь зезыхьэ блэ лIэужьыгъуэ. 9. КIапсэкIэ зэкIуэцIыпха хьэцэпэцэ IэплIэ. 10. Фадэ гуащIэ. 11. Мэкъу пыупщIа сатыр. 12. Адыгэ фащэ щIыIутелъ. Гу зылъытапхъэ: ИхъуреягъкIэ къэзыкIухь псалъэхэм зым и кIэухыр къыкIэлъыкIуэм и щIэдзапIэщ. Щапхъэ: уэд — дыщ — щэху. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Мазаем и 16-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. ХьэндыркъуакъуэцIэнлъ. 14. Лъостэн. 15. Нухь. 16. Хьэрэм. 17. Мылыф. 18. Фэлъыркъэб. 19. Быф. 20. Фэдэн. 21. Налмэс. 22. Сэджыт. 23. Ташло. 24. Ержыб. 25. Быж. 26. Жагъуэгъу. 27. Гъум. 28. Мэш. 29. Шэфтал. 30. Лэч. 31. Чэт. 32. Топ. 33. Пырхъ. 34. Хъан. 35. Нэщхъ. 36. Хъыдан. 37. «Нур». 38. Семэн. 39. Нартан. 40. Нэпкъ. 41. Къыкъ. 42. Къэшэж. 43. Жэп. 44. Пэу. 45. Къурт. 47. Токъуий. И кумкIэ кIуэуэ: 1. Хъудыр. 2. Балыджэ. 3. Хьэсэ. 4. Лэкъум. 5. Хьэнфэн. 6. Мыщэ. 7. Мысэ. 8. Губзыгъэ. 9. Удын. 10. Лъэпщ. 11. Мыщафэ. 12. Кхъулэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25456.txt" }
ТхьэрыIуэм хуэпэжу Дунейр уэфIт. Темрыкъу хы къуэпсым къыхиху акъужь гуапэр псэм йодэхащIэ, абы полкым и ныпыр дохуарзэ. Кхъухьлъатэзехуэхэр сатыру иувыкIахэу а ныпым и пащхьэм итщ, я унафэщIхэм жаIэм йодаIуэри. Бийм зы мэскъалкIэ зэрыхудамычыхынум, ар уэгуми щIылъэми зэрыщыхагъэщIэнум теухуа псалъэмакъщ екIуэкIыр. ЗауэлIхэр щытщ, я нэгухэр зэхэуфауэ, гужьгъэжьыр я нэхэм къыщIихыу. Къанкъуэщ Ахьмэдхъан УнафэщIхэм я ужькIэ псалъэ къещтэ Къанкъуэщ Ахьмэдхъан. Полк псор умэзэхауэ йодаIуэ и адэм къигъэхьауэ иджыпсту ар къызэджэ тхыгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым фашистхэм щызэрахьэ залымыгъэм теухуауэ гур зыгъэуз псалъэхэр зэрытым. Абы пищэу Ахьмэдхъан жеIэ: “Фашистхэм яукIащ си шыпхъуитI — ФатIимэтрэ Абчарэрэ, си къуэш Шэмэул. Абыхэм яукIащ совет цIыху минхэр. ИкIи си псэр пытыху, си гур къеуэху хейуэ кIуэдахэм ялъ сщIэжыну фыкъызогъэгугъэ”. Адыгэ щIалэр хуэпэжащ ищIа тхьэрыIуэм. Къанкъуэщ Ахьмэдхъан папщIэ ятхырт: “Ар зэи гужьейртэкъым. Кхъухьлъатэр фIыуэ зэрызэрихуэм къыдэкIуэу, абы и хьэлым щызэхуэхьэсат тегушхуэныгъэри, фашистхэм яхуиIэ нэмыплъри, телъыджэ дыдэхэр езыгъэщIэф лIыгъэшхуэри. Ахьмэдхъан ябгэу бийм ебгъэрыкIуэрт, абы кIуапIи жапIи иритыртэкъым. НапIэдэхьеигъуэт зыхуейр гъэщIэгъуэн гуэр къигупсысын папщIэ. Ар еплъыртэкъым бийр зэрыхъу бжыгъэм». Зауэм зэрыIухьэрэ куэдыщи дэмыкIауэ, Ахьмэдхъан и гъусэ зауэлIхэм хэкум къатхащ: «Фронт псом Къанкъуэщыр къыщацIыху. Дзэ Iэтащхьэхэр абы къыхуэупсащ Бэракъ Плъыжь орденымкIэ». Зауэм Iухьа нэужь еру щхьэкIэ, Ахьмэдхъан и ныбжьэгъухэм щахэтым деж щабэт, бзэ IэфI Iурылът, дэтхэнэми и гукъеуэ, и дзыхь кърагъэзырт, и хьэл-щэн дахэмкIэ цIыхухэр зыщIишэрт. И унагъуэм теухуауэ хъыбар мыщхьэпэ къызыIэрыхьам абы къриIуэтылIэрти, и гур нэхъ зэгъэжырт, сыту жыпIэмэ апхуэдэхэм деж адыгэ щIалэм ныбжьэгъум жриIэни зэречэнджэщыни къигъуэтыфырт. … «Мессершмиттым» зэребгъэрыкIуэ ди кхъухьлъатэхэр ялъэхъэн я гугъащ, ауэ къикIа щыIэкъым. Ди «Як»-хэр бомбэзехьэхэмкIэ яфIэкIуэри, абыхэм уэр хузэхаублати, радиоаппаратым бгъэдэсу мыдэкIэ щIым щыIэ унафэщIыр къэпIейтеяуэ хьэуам хэтхэм йоджэ: «Напэ фиIэщ! Еуэ уэ, шэмэдж! Пыгъэщ, Къанкъуэщ!» УафэхъуэпскIым хуэдэу псынщIащэу йокIуэкI зэхэуэр. Бий мафIэм иса къуажэм я жыг хадэ зэщIэгъэгъахэмкIэ йохуэх «Юнкерс»-у тIу. Ещанэм егъэкIэрэхъуэжри, уафэ лъащIэм йохьэж. Ар еху «Як»-м. «Юнкерс»-м ехуэх нэпцI зещI, зэм зегъэхуэм, зэми кIэщIу къегъэкIэрахъуэри, адэ-мыдэкIэ зыщIедз. «Нэхъ лъагэу!» — къоIу ар зыхум и макъыр. Зауэм дихьэха Къанкъуэщ Ахьмэдхъан щыгъупщат зэрыпсалъэ Iэмэпсымэр игъэувыIэжын икIи щIым тетхэм зэхах абы и псалъэхэр: «ЛъыщIэжым фыIэщIэкIыу щIыми зыщывгъэпщкIуфынкъым, уафэми фыщыбзэхынкъым. Адыгэм жеIэ: «Зилъ зыщIэжым и бийр хьэдрыхи къыщигъуэтынщ». Мес ар, лъыщIэжым ирихужьар, моторитI зэрыт и кхъухьлъатэ щхъуантIэ-гъуэжьыфэмкIэ щтапIэ ихьэжауэ къуршыщхьэм щызолъатэ. Абы ищIэркъым леймыгъэгъур и ужь зэритыр, ауэ ерыщу къызэребгъэрыкIуэмкIэ, ерууэ и къыкIэлъыкIуэкIэмкIэ, и «Якыр» Iэзэу зэригъэIурыщIэмкIэ икIи пулеметыр къызэреуэ щIыкIэмкIэ къыгурыIуэу хуожьэ и ажалыр и ужь зэритыр, гузэвэгъуэри къыкIэщIозэрыхь… Къанкъуэщым иригулIа фашист кхъухьлъатэр гъуахъуэу, Iугъуэмрэ гъуэзымрэ зэщIищтауэ бгы гуэрым жьэхоуэри, зэхощащэ. «Якым», бгым жьэхэуэным иIэж щымыIэу, зыдредзеижри уэгу щхъуантIэм къохутэж. Зэ зыкъегъэзэж, и бийм къыщыщIар зрегъэлъагъури, адрей совет кхъухьлъатэхэм яхоувэж. ПлIыщIрэ етIуанэ гвардие авиаполкым и унафэщI Грабарец Иван етх: «Командир къэмылэнджэжщ, кхъухьлъатэзехуэ Iэзэщ. Нэмыцэ «къашыргъэхэм» екIурабгъу къахуегъуэтыф. Хьэуа зауэм и Iэмалхэр ещIэ, лIыгъи зэфIэкIи къыщегъэлъагъуэ. И закъуэ кхъухьлъати 8, гъусэ иIэу щы къриудыхащ, нэгъуэщIитхуи зэхикъутащ». Куэд дэмыкIыу Къанкъуэщ Ахьмэдхъан ТIалэ и къуэр Совет Союзым и ЛIыхъужь ящI. А унафэр дунейм къытохьэ 1943 гъэм фокIадэм и 2-м. Зы илъэс закъуэщ Къанкъуэщ Ахьмэдхъан зауэм зэрыхэтар. А зэман кIэщIым абы нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм хэщIыныгъэшхуэ ирет. 1943 гъэм Къанкъуэщым и кхъухьлъатэр Керчь деж къыщраудыхащ. Ауэ абы и щIыхьым, и пщIэм бийм зыри хуещIакъым. Япэ дыдэ Андырхъуей Хъусен Илъэс тIощIрэ зым хыхьа къудейт Андырхъуей Хъусен зауэр къыщыхъея махуэм. Дзэм ираджауэ къулыкъу ищIэрт абы, 733-нэ фочауэ полкым и 2-нэ ротэм и политрук IэнатIэр къыхуагъэфэщауэ. Зыри пэплъатэкъым зауэм, хьэщэхурыпхъуэм зэрихабзэу, фашистхэр, я псалъэм епцIыжри, 1941 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 22-м ди къэралым къытеуащ. Мейкъуапэ пэмыжыжьэ абэзэхэ къуажэм, Хьэкурынэхьэблэ, къыщалъхуа абэзэхэ щIалэри пэплъакъым зауэм. Абы и нэгу щIэтыр зыщалъхуа къуажэрт, и Iыхьлыхэрт, зыдеджа и ныбжьэгъухэрт — дзэ къулыкъур зэфIэкIмэ, яхыхьэжынут абыхэм, и хэкум игъэзэжынурэ, зыми пимыщI IэщIагъэм ирилэжьэнут: ар усакIуэщ, и усэхэр щIэх-щIэхыурэ традзэ Адыгейм къыщыдэкI газет- хэм… Хунэсакъым абы: зауэ гущIэгъуншэм и мафIэ лыгъэр къыщылыдащ къэрал гъунапкъэм, нэмыцэ фашистхэр, хьэщхьэрыIуэ хъуауэ, хэкум къиужьгъащ. Андырхъуей Хъусен зыхэт 136-нэ дивизэр 1941 гъэм фокIадэм и 20-м Ростов и Iэшэлъашэм Iэпхъуащ. Абы щыгъуэ дон губгъуэхэм зауэ гуащIэ щекIуэкIырт, Кавказым къыхуеIэ бийр къатезэрыгуауэ. Дивизэр нэмыцэхэм япэуващ фокIадэм и 29-м: ахэр зэтригъэувыIащ, зэхикъутэри иригъэкIуэтыжащ. А махуэм ди зауэлIхэм къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щытепсэлъыхьым, абы и командирым и псалъэм къыхэщащ политрук Андырхъуей Борэжь и къуэ Хъусен цIэр — бийм удынышхуэ езыдза зауэлI хахуэхэм ящыщт ар. Ипщэ фронтым и Iуэхур хэплъэгъуэ хъуат: цIыхурэ IэщэкIэ къебэкI бийр къебгъэрыкIуэ зэпытти, Дзэ Плъыжьыр къикIуэтырт, бийм хэщIыныгъэшхуэ иратурэ. Нэмыцэхэм яубыд къалэхэр, къуажэхэр зэтрагъасхьэрт, лажьэ зимыIэ цIыхухэр зэтраукIэрт. 733-нэ фочауэ полкри къикIуэтын хуей хъуащ, зэщIэкIуэри, полкым Нагольнэ псым и Iуфэм зыщигъэбыдащ. ЕтIуанэ фочауэ ротэм Дьяковэ къуажэм и Iэшэлъашэм зыщигъэбыдащ, псым телъ лъэмыжым пэмыжыжьэу. Андырхъуей Хъусен и ротэм къалэн къыщащIащ: бийр псым къызэпрывмыгъэкI. Ар пхузэфIэкIын щхьэкIэ, зэрыжаIэщи, «щIым зыщIэвэн» хуейт: бжьыхьэ щIыIэри зыхамыщIэжу, ротэм и зауэлIхэм окопэхэмрэ щIытIхэмрэ ятIащ, топхэр, лагъым зэрадз Iэщэхэр лъэмыж дакъэм щыхасащ. ЖэщкIи махуэкIи къахэкIыртэкъым Андырхъуей Хъусен ротэм и зауэлIхэм: ягу фIы яхуищIырт, лIыгъэ яхэлъын зэрыхуейр, я адэ-анэхэр, я шыпхъухэр, я щхьэгъусэхэр я щIыб къызэрыдэтыр ягу къигъэкIыжырт. Псоми ягъэщIагъуэрт: «Дапщэщ ди политрукыр щышхэри щыжейри — жэщми махуэми етIысэхыркъым». Батальоным и комиссарым ириджащ политрукыр. — Зауэ гуащIэ къытпоплъэ, — къыжриIащ абы. — Уи ротэм къылъыса IэнатIэр нэхъ шынагъуэ дыдэхэм ящыщщ — бийм къаруушхуэ къиунэтIынкIэ хъунущ абыкIэ: лъэмыжым къимыкIмэ, нэмыцэ танкхэм нэгъуэщI кIуапIэ ягъуэтынукъым, ар зэраубыдынум и ужь итынущи, фатемыплъэкъукI, танкхэр къаутIыпщмэ, лъэмыжыр къэвгъауэ, псым ахэр къызэпрывгъэкI хъунукъым… Ар жыIэгъуафIэщ: зы танк къызэпрывгъэкI хъунукъым… Политрукми ещIэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр — ротэм къылъыса IэнатIэм куэд зэрелъытар: нэмыцэхэр абдеж щызэтраIыгъэху, дивизэр здикIуэта щIыпIэм изэгъэнущ, зигъэбыдэнурэ бийм къыпэувынущ… ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, пшэр зэкIэщIихури, бжьыхьэ дыгъэм и бзий махэр Дьяковэ къыдэпсащ. Къуажэм щхьэщытщ уэнжакъхэм къриху Iугъуэ сырыхур. Хъусен и нэгу къыщIыхьэжащ езыр къыщыхъуа жылэр — Хьэкурынэхьэблэ. И нэгу къыщIэуващ къуажэм къыдина и анэр, и Iыхьлыхэр, и ныбжьэгъухэр, фIыуэ илъагъу пщащэ дахэр… Сыт я дуней абыхэм иджыпсту, сыт ягъахъэрэ? Дауи, псоми я гур здэщыIэр зауэрщ, аращ я щхьэм илъ зэпытыр. ЯлъэIэсынкIэ хъуну абыхэми зауэ гущIэгъуншэр? Хьэуэ, ар къэмыхъун щхьэкIэ, Хъусен зэблэн щыIэкъым, и псэр итын хуей хъуми, къызэфIэнэнукъым… Нэмыцэхэр къызэрехьэжьащ, топышэр зыкъомрэ къытракIута нэужь, мацIэм хуэдэщи, къызэрохь, танкхэм зыкъуадзэурэ. Шэр, лагъымыр къытолъалъэ Хъусен и ротэм — ротэм и нэхъыбэр укIыгъэ хъуащ, ауэ бийр лъэмыжым кърагъэкIакъым. Нэмыцэхэм ар щахузэфIэкIам ротэм къыхэнэжа щыIэтэкъым: хэт уIэгъэщ, хэт укIыгъэщ. УIэгъэ хъуащ Хъусени: и блэгъукIэр шэм икъутащ. Пшапэр зэхэуауэ, нэмыцэхэр псым къызэпрыкIри, Хъусен къаувыхьащ. ПулеметкIэ яхэуэурэ, политрукым япэ къища фашистхэр зэтриукIащ. Андырхъуейм шэр къыIэщIэухащ, нэмыцэхэр етIуанэу къебгъэрыкIуащ. Зы гранатэ закъуэ къыхуэнэжати, ар къищтэри, Хъусен къызэфIэуващ. — Урыс, зыкъэт! — зэхихащ абы. — Урысхэм затыркъым! — ар жери, гранатэр яжьэхидзащ политрукым къытегуплIа фашистхэм. Апхуэдэу итащ Андырхъуей Хъусен и гъащIэр. Илъэс тIощIрэ зырэт зауэлI хахуэм и ныбжьыр… Адыгэ щIалэм зэрихьа лIыгъэм и хъыбар фронт псом щыIуащ, ар щапхъэ яхуэхъуащ хэкум и хъумакIуэ зауэлI куэдым. Хъусен зыхэта полкым и комиссар Шемяков Борис зауэлIхэм я пащхьэм мыпхуэдэ псалъэ щыжиIауэ щытащ: «Ди полкым и Бэракъ плъыжьым и пщIэр лъагэ зыдэхъуа лIыхъужьхэм дрогушхуэ дэ. Уэрэд хуаусынущ политрук Андырхъуей Хъусен зэрихьа лIыгъэм. Адыгейм щыщщ а лIыхъужьыр. Гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъу Хэкурщ абы и гъащIэр зыщIитар. Бийм пикIуэтакъым ар, уIэгъэ хьэлъэ хъуарэ пэт, лъы ткIуэпс къыщIэмынэжыху, Iэщэр игъэтIылъакъым. Андырхъуейм и псэр зыщIита Хэкум зэи щыгъупщэнкъым лIыхъужьым и цIэр». Дьяковэ къуажэм деж щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Андырхъуей Хъусен Борэжь и къуэм Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ. Адыгэ щIалэрщ СССР-м и тхакIуэхэм щыщу а цIэ лъапIэр япэ дыдэ зыфIащар. Дивизэми пщIэшхуэ хуищIащ адыгэ лIыхъужьым: абы и цIэкIэ зы снайпер фоч хахри, фочым мыпхуэдэ тхыгъэ традзащ: «Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен и цIэкIэ». А фочыр зыхуагъэфэщэнур Андырхъуей Хъусен хуэдэу хахуэу зауэ, лIыгъэ зыгъэлъагъуэ зауэлIхэрт. Сталинград деж зауэ гуащIэ щекIуэкIырт абы щыгъуэ. Индыл Iуфэ щызауэрт Андырхъуей Хъусен зыхэта дивизэри. Абы щыщ фочауэ шэрыуэхэр — снайперхэр зэхуашэсащ дивизэм и унафэщIхэм. «Дэ, Сталинград и хъумакIуэхэм, къэрал псор къыткIэлъоплъ иджыпсту икIи къытщогугъ, — жиIащ дивизэм и унафэщIым. — Бийм зы лъэбакъуэкIэ дыпикIуэт хъунукъым, къалэр фашистхэм едмыгъэубыдын щхьэкIэ, ди псэ деблэжынукъым. АбыкIэ щапхъэ зытетх хъун зауэлI хахуэ куэдым я цIэ къипIуэфынущ. Псом япэ зи цIэ къиIуапхъэр политрук Андырхъуей Хъусенщ». Адыгэ щIалэ хахуэм и цIэкIэ хаха снайпер фочыр а махуэм иратащ фочауэ шэрыуэхэм ящыщ зым — Ильин Николай Яков и къуэм. Андырхъуей Хъусен и цIэр зытраIуа фочыр щратым, абы жиIащ: «Си тхьэлъанэщ Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен хуэфащэу сыкъыщIэкIынкIэ. Си къаруми си гъащIэми себлэнкъым, фашистхэр ди Хэкум игъэкъэбзыкIа хъун папщIэ». А псалъэр игъэпэжащ фочауэ хахуэм. Андырхъуей Хъусен и фэеплъ фочыр кърата нэужь, етIуанэ махуэм Ильин фашистибгъу IуипIащ, къыкIэлъыкIуэ махуэм — аргуэру фашист пщыкIубл. Сталинград деж щызауэурэ, махуэ пщыкIузым фашист 95-рэ иукIащ. Сталинград фронтым цIэрыIуэ щыхъуащ Андырхъуей Хъусен и фэеплъ фочым иризауэ снайпер шэрыуэ Ильин Николай. 1942 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм ирихьэлIэу абы зэтриукIа фашистхэм я бжыгъэр 216-м нэсащ, 1943 гъэм и пэщIэдзэм а бжыгъэр 300-м щIигъуат. Снайпер хахуэм ита псалъэр игъэпэжащ: зы махуи игъэхьэулеякъым абы Андырхъуей Хъусен и фэеплъ фочыр. Бийр Сталинград деж щызэхакъутэри, Донской фронтым и зауэлIхэр ебгъэрыкIуащ. Зауэ гуащIэ куэдым лIыгъэ щызэрахьащ Андырхъуей Хъусен зыхэта фочауэ дивизэм. Ар щызэуащ Орел, Белгород къалэхэм, ахэри, нэгъуэщI къалэ куэди фашистхэм къаIэщIэзыхыжа зауэлI хахуэхэм япэ итащ. Абы щыгъуэ Ильин Николай Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащакIэт. Андырхъуей Хъусен и цIэр зыфIаща фочымкIэ фашист 494-рэ иукIауэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Ильин Николай 1943 гъэм и гъэмахуэ мазэм зауэм хэкIуэдащ. Фашист 494-рэ хэзыгъэщIа фочым тратхащ Ильин Н. Я. и цIэри. Снайпер хахуэр щыщIалъхьа махуэм а Iэщэр IэщIалъхьащ фочауэ шэрыуэхэм ящыщ зым — Гордиенкэ Афанасий. «Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Андырхъуей Хъусенрэ Ильин Николайрэ я цIэкIэ» — апхуэдэ тхыгъэ тетт Гордиенкэ IэщIалъхьа фочым. ЗауэлIхэм я пащхьэ иувэри, абыи псалъэ итащ: — Андырхъуей Хъусенрэ Ильин Николайрэ ялъ сщIэжыну фыкъызогъэгугъэ, ди Хэкум и хуитыныгъэм пап- щIэ схузэфIэкI сщIэнщ, си гъащIэм себлэжынкъым, фашистхэм сащысхьынкъым. Андырхъуей Хъусенрэ Ильин Николайрэ я фэеплъ фочымкIэ Гордиенкэ Афанасий Ефим и къуэм фашист 424-рэ хигъэщIащ. Фашист миным щIигъу зэтраукIащ Ильинрэ Гордиенкэрэ Андырхъуей Хъусен и фэеплъ фочымкIэ. Зауэм и мафIэ лыгъэм къелащ лIыхъужьхэм я фоч цIэрыIуэр: нобэ ар щахъумэ Урысей Армэм и Музей Нэхъыщхьэм. Сэлэтхэм я пащхьэ Къардэн Уэхьид Илъэс куэдкIэ тхылъымпIэхэм ягъэпщкIуауэ къэрал архивым хэлъащ ПсэукIэ-Дахэ (КъШР) къуажэм щыщ Къардэн Уэхьид Совет Союзым и ЛIыхъужь хъун хуейуэ къащта унафэр. Школым физкультурэмкIэ щригъаджэу дзэ къулыкъум яшауэ щыта щIалэм и щхьэм щымысхьыжу Хэкур ихъумащ, ТекIуэныгъэм папщIэ и псэр итащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, шуудзэм и пулеметчикым езым и щхьэр игъэтIылъри, и зэуэгъухэр ажалым къригъэлащ, я гупыр къэухъуреихьыныгъэм къригъэкIыжащ. Абы щыгъуэм сэлэтхэм я пащхьэ къыщыжаIащ адыгэ щIалэм лIыгъэу зэрихьар зэрыгъунэншэр. Дауэ щытами, захуагъэр и щIыIу къэхъужащ. ТекIуэныгъэр илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу Къардэн Уэхьид Урысейм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ. Къардэн Уэхьид и фэеплъ сынышхуэ ПсэукIэ-Дахэ дэтщ, абы и цIэр зэрахьэ къуажэ уэрамхэм. Вагъуэиж Къардэн Къэбард Къардэн Къэбард Лэкъу- мэн и къуэм и гъащIэр ещхьт вагъуэижым — махуэ 257-рэщ ар Хэку зауэшхуэм зэрыхэтар. Дэфтэрхэм яхъумащ абы сыхьэтихым къриубыдэу и танкымкIэ нэмыцэ фашисту 50-м щIигъу зэриукIар, топу 5 зэрикъутар, къуентхъыу танки 7, топ 13, автомашинэ 78-рэ дыдейхэм къаIэрыхьэным ар зэрыхэлIыфIыхьар… Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къэбард теухуауэ щыIэ тхылъхэр мащIэщ. Ауэ абыхэм Аушыджэр щыщ адыгэлIыр къахощ Хэкум и бын пэжу, шынэ зымыщIэ танкисту, ныбжьэгъуфIу, цIыху хьэлэлу, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэу. Апхуэдэу ар щыдолъагъу, къэбгъэлъагъуэмэ, урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Гарин Фабиан и тхылъым, 1963 гъэм Москва къыщыдэкIам, «Танкым телъ удз гъэгъахэр» зыфIищам. Абы къыхэтхащ мы пычыгъуэ цIыкIур. * * * Ныбжьэгъу Къардэн, уэ нэхъыфIу зыкъэдгъэцIыхут, — жиIащ Боровицкэм. ЩIым щыс сэлэтхэм къахэтэджыкIащ щIалэ къуэгъу, зи нэкIур дыгъэм къамылыфэу ижьар. Нэрылъагъут ар зэрыпIейтейр. КIэщI дыдэуи къиIуэтащ Кавказ къуршыжьхэм я лъапэм къызэрыщалъхуар, мэлыхъуэу зэрылэжьар, къалэшхуэ илъагъуну, еджэну зэрыщIэхъуэпсар. — СыноупщIыну сыхуейт, — къэIуащ Кульдин и макъыр. — Уи сыт Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуа Къардэн Къубатий? — Си къуэшщ, — жиIащ щэхуу Къэбард. Сэлэтхэр нэ гуапэкIэ еплъащ я ныбжьэгъум. Комбатым жиIэнIауэ хэтащ. Ауэ а напIэзыпIэм макъ лъагэкIэ зыгуэр къэджащ: — ПсынщIэу фи машинэхэм фитIысхьэж! Дакъикъэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу зауэм и мафIэр щIэрыщIэу къызэщIэнащ… Танкищэхэр, кхъухьлъатищэхэр, топищэхэр зэщIэгъуахъуэрт. МафIэм исырт машинэхэр, псэупIэ унэхэр, шыгу зэщIэщIахэр, цIыху куэд. Пшагъуэмрэ Iугъуэмрэ зэхэтым ярейуэ, зэуапIэр кIыфI хъуат, шэ зэмыфэгъу зелъатэхэр къыхэлыдыкIыу… Бийр зы километркIи къэкIуэтэфакъым. ИхъуреягъкIэ щыплъагъурт нэмыцэ сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ я хьэдэхэр, мафIэ бзийр зыщхьэщыт танкхэр… Къардэн Къэбард егупсысырт бийм ебгъэрыкIуэу, я быдапIэр зэрызэпхитхъыным, адрей танкхэм гъуэгу зэрахуищIыным. Машинэр зыгъакIуэр старшина Трохинт. Къардэным и танкым и ужь итт Дегтярев, Бондарь сымэ зи унафэщIхэри… Бийм ди танкхэр здикIыну и гугъэр ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэти, абыкIэ зыщагъэбыдат, фIыуи загъэхьэзырат. Ар къыгурыIуэри, Трохиным унафэ хуищIащ шоссем текIыу губгъуэ гъуэгумкIэ игъэшыну. Дегтярев, Бондарь сыми къащIащ Къардэныр зыхущIэкъур. Ди танкхэр, лъэгумкIэ яунэтIри, къуажэм дэмыхьэу, къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ екIуэкIащ, зыкъагъазэри, къызэдилъащ. — Гъуэжькуийм хуэдэу, — кIиящ Къэбард, Трохиным зыхуигъазэри, — бийм дытоуэри, хьэбэсабэ дощI! Къуажэм къызэрыдэхутэу къалъэгъуащ ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ загъэзауэ танкищ щыту. Къардэныр еуэри, зым Iугъуэ фIыцIэр къыщхьэщыуващ. Дегтярев игъэсащ етIуанэрей танкыр. Ещанэм зыкъигъэзэну хэтащ, ауэ хунэсакъым. Абыи техуащ Къэбард и топышэр. Абдежым лъэныкъуэкIэ къыкъуэкIащ «Фердинанд» зыбжанэ. Къардэным и танкым къытелъэлъащ топышэр. Матюшкиныр уIэгъэ хьэлъэ хъуат, ауэ абы хузэфIэкIащ топыр иузэдыну. Къэбард и Iэр къиIэтри, къыхэщэIукIащ — лъыпсыр къыпыжырт… — Къызэт бронебойнэр! — еджащ ар Матюшкиным. Ауэ абы зыкъигъэхъеижыфыртэкъым. И къару псори зыхилъхьэри, топышэр къищтащ, ерагъыу топыр иузэдри, нэмыцэ танкым еуащ. Матюшкиным иужькIэ джэлащ Зайцевыр. Трохиным, адэ-мыдэкIэ зригъэгъазэурэ, гъуанэу блы зиIэ хъуа танкыр япэкIэ игъакIуэрт. Къардэным, къару телъыджэ гуэрхэр къыхыхьэжауэ, топыр иузэдурэ игъауэрт. Еянэрей топышэр къыщытехуэм, Къэбард и нэхэр щыункIыфIыкIащ, псэкIэ зыхищIащ и гур удыным зэгуиудауэ лъыр уэру зэрыщIэжыр… А напIэзыпIэм къызэхихащ Бочковскэм и танкхэри къызэрысар, фашистхэр зэрикIуэтыр… Бийм зэуэныр щигъэтри, гъэру зыкъитащ. Къуажэдэсхэр гъуанэпщIанэ хъуа совет танкым деж щызэхуэсащ. УкIыгъэ хъуа сэлэтиплIыр къыщрахым, фызыжьхэр, сабийхэр зэщIэгъуэгащ… Мыгувэу ди танкхэр япэкIэ кIуэтащ. Бийр икIуэтыжырт… Миус деж Къуэщ Алий Къуэщ Алий 1922 гъэм Блашэпсынэ Адыгейм хиубыдэ къэбэрдей къуажэм къыщалъхуащ. 1941 гъэм и бжьыхьэм фронтым Iухьащ, япэ, етIуанэ Украин фронтхэм, япэ Белорус фронтым хэту бийм езэуащ. Алий зыхэт сапер батальоным фашистхэм я танк куэд щакъутащ Миус псым и Iуфэм, лIыгъэшхуэ къигъэлъэгъуащ ди дзэр Днестр щызэпрыкIым щыгъуи. 1944 гъэм Къуэщ Алий къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр. Зауэ нэужьым Къуэщыр Мейкъуапэ щыпсэуащ, IэнатIэ зыбжанэм пэрытащ. 1971 гъэм дунейм ехыжащ. Блашэпсынэ щагъэуващ лIыхъужьым и фэеплъ сыныр, а къуажэм дэт курыт еджапIэм абы и цIэр зэрехьэ. Блашэпсынэ и уэрамхэм ящыщ зыми фIащащ Къуэщ Алий и цIэр. Шапсыгъ хахуэ Ацумыжь Айдэмыр Ацумыжь Айдэмыр хы Iуфэм Iус ШахэкIей шапсыгъ къуажэм 1912 гъэм къыщалъхуащ. Бийр Кавказ Ищхъэрэм къэблэгъауэ, Псыжь щыпсэухэм шуудзэ корпус къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы хыхьащ Ацумыжь Айдэмыри. Шапсыгъ щIалэр зыхэт шуудзэм Кавказым къиужьгъа бийм хэщIыныгъэшхуэ иратащ 1942 гъэм и гъэмахуэм. Абы щыгъуэ Айдэмыр къратащ «Хэку зауэ» орденым и япэ нагъыщэр. Новкус-Артезиан къуажэм деж (Псыжь губгъуэ) зауэ гуащIэ щекIуэкIащ 1942 гъэм. Абдежми лIыгъэшхуэ къыщигъэлъэгъуащ адыгэлIым: ар зыхэт батареем нэмыцэ танк, топ куэд икъутащ, фашист куэди зэтриукIащ. А зауэ гуащIэм хэкIуэдащ езы Айдэмыри. Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр абы 1943 гъэм къыфIащащ. КIыщокъуэ Алим Телъхьэ уанэр си шым Телъхьэ уанэр си шым, си къуэш цIыкIу нэхъыщIэ. Зауэм кIуэ жаIауэ, ТэрчкIэ соукъуэдий. Сэ уанэгу сыкъихурэ губгъуэм сыкъинами, Сызыпылъ хъыджэбзым и гум сумыгъэху. Телъхьэ уанэр си шым, си къуэш цIыкIу нэхъыщIэ! Дахэм гу щызмыхуэу нобэ къызызонэкI. Сэ уанэгу сыкъихуу губгъуэм сыкъинами, Си уэрэдыр жепIэурэ дахэм игу сигъэлъ. Сянэр къысщIэупщIэм къэзгъэзэжу жыIэ. Сядэр къоупщIамэ, пэжыр умыбзыщI. Сэ уанэгу сыкъихуу губгъуэм сыкъинами, Си хъыбарыр жепIэурэ дахэм игу сигъэлъ. ХьэхъупащIэ Амырхъан Къардэн Къубатий Хэку дахэм хамэр къефыгъуэрт, Гъунэгъуейр къуентхъым зэдеблэрт, Зауэр яублэм, гъатхэпэ щыблэти, яхэуэрт, Къардэным и къуэу ди Къубатий пхъэшакъуэт. ЗиIэтым, уэгум ит бгъэшхуэти, мэзеплъэ, Зигъэлъахъшэм, итылджы забзэти, мэзеуэ, Зауэм щхьэщыхьэм, бийр игъэгызт, И бомбэ хьэлъэр дзэжьхэм яхидзэт, ЯIуридзэххэурэ фронт тIуащIэр ЛIы гуащIэм щIещыкI, КъыщекIуэкIыжкIэ танкыжь зыбжанэри МафIэлыгъейкIэ къигъэст. Аэродромхэм нэсырти мафIэсыр, Биидзэ бзаджэхэм нахидзэт. Шэурэ къадзымкIи мыгужджэ, Ириджэгухэурэ мэзауэ, ИлъэсиплI зауэр къыщащIым Зы сыхьэтиплI хэмын, Зы махуэ уби къимыхь, Щытхъуу къэпхьари хэхъуэшхуэщ, Арысеишхуэм уащхьэпэт, Къэбэрдей напэри бгъэбжьыфIэт, Уи щIалэфIагъми хогъахъуэ, ЩIэблэу къытщIэхъуэр тхуэбгъасэу Илъэс зыбжанэр угъащIэ. УIэгъэ ини къыщащIым ЩIыIэтехьэгъуэ фIэмыщI, ЗыфIимыгъэщIуи мэзауэ Къардэн и къуэу Къубатий. МахуэлI Нарзан Лъэпкъ лIыхъужьхэр ЛIыхъужьхэр зэи схуэгъеижынкъым. Гум щIыхьэу зы уэрэд яхуэзусынщ. Си макъыр, дауи, хьэршым нэсыфынкъым, ИтIани ахэм сэ сызэхахынщ. Псэуху ди лъэпкъыр ахэр кIуэдыжынкъым – ЩыIэхукIэ уафэр, вагъуэхэр лыдынщ. Я кхъащхьэр слъагъуми, сэ си фIэщ ящIынкъым – Къыщыс я пIалъэр… псэ къахыхьэжынщ. Уахътыншэщ ахэр хуэдэу ди цIыху гугъэм, ЩIехыжхэри дунейм, адыгэ лIыгъэм Ди тхьэшхуэр къыхуэныкъуэщи аращ. ЩIым ахэр текIкъым къамыгъэзэжыну – Зы пIалъэ гуэркIэ, лейр ямыгъэгъуну, Ахърэт щIыналъэм зекIуэ кIуахэу арщ. ТекIуэныгъэм и парад. Москва, Ут плъыжь, 1945 гъэ, мэкъуауэгъуэм и 24
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25463.txt" }
Кипрым къикIыжын и пэкIэ Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм хэта «Спартак-Налшыкым» Кипрым къикIыжын и пэкIэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Армением и чемпионатым етIуанэ увыпIэр щызыIыгъ Ереван и «Мика»-м «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Шыпш Тимур япэщIигъэуващ Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм щIагъуэу къыщимыгъэсэбэпахэр. Ди щIалэхэм яхэту зэIущIэр ирагъэжьащ гъуащхьэтет Хъанийм, гъуащхьэхъумэхэу Абазэм, Чернышовым, Сусловым, Мэкъуауэм, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Чеботару, ТыIэщым, Ваниевым, Балэм, гуащхьауэхэу Болэм, Короновым. Налшыкдэсхэм джэгур жыджэру ирагъэжьащ. ЗэфIэкI хъарзынэ зэраIэр я тренерхэм ирагъэлъагъуну ахэр зэрыщIэхъуэпсыр нэрылъагъут. Дакъикъэ зыбжанэ дэкIауэ арат, Чернышовыр зэуа топыр перекладинэм щытехуам. Мыгувэу армянхэми хуэфэщэн жэуап къатыжащ. Иджы ахэр зэуа топым Хъанийм и гъуэм и пкъор игъэсысащ. Загъэпсэхуным Iуэхур нэблэгъэпауэ Болэр «Мика»-м и штрафнойм пэгъунэгъуу ираудащ. АрщхьэкIэ ари тэмэму къахуэгъэсэбэпакъым. Джэгум и етIуанэ Iыхьэм ди щIалэхэм къахыхьащ ЛIупыр, Сирадзе, Зинович. Абыхэм яхъуэжащ Болэр, Ваниевыр, ТыIэщыр. Командэхэри нэхъ ерыщыжу ебгъэрыкIуэ хъуащ. Апхуэдэхэм ящыщ зым, ди гъуащхьэхъумэхэм я щыуагъэр къагъэсэбэпри, еревандэсхэм бжыгъэр къызэIуахащ. АрщхьэкIэ куэд дэмыкIыу «Спартак-Налшыкым» ар зэхуэдэ ищIыжащ: ЛIупым Iэзэу кърита топыр Короновым гъуэм дигъэкIащ. ИужькIэ лъэныкъуитIми Iэмал хъарзынэхэр яIа пэтми, бжыгъэм зихъуэжакъым. Командэхэр зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, зэбгъэдэкIыжащ. Кипрым къыщыпэщыта зыгъэсэныгъэр ди щIалэхэм абдежым къыщаухащ. «Мика»-м ипэкIэ ирагъэкIуэкIа зэIущIитхум ящыщу тIум щытекIуащ, апхуэдизри къыхагъэщIащ, зым зэрыщызэтегъэкIуакъым. «Спартак-Налшыкыр» дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къэкIуэжащ. Махуэ зытIущкIэ загъэпсэхунурэ, гъатхэпэм и 11-м щIэзыдзэж Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм зыхуэгъэхьэзырыным и кIэух Iыхьэм ди щIалэхэм пащэнущ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25476.txt" }
Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынущ Дагъыстэным щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэ къыщыхьыным теухуа, 1996-1997 гъэхэм къалъхуахэр зыхэта зэхьэзэхуэ. КъБР-м икIа гупым абы медалих къыщахьащ. Зэхьэзэхуэм хэта спортсмен 251-м ящыщу 30-р Къэбэрдей-Балъкъэрым икIат. Килограмм 50 иримыкъухэм я зэпеуэм Къер Азэмэт етIуанэ увыпIэ къыщихьащ. Килограмм 69-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж Бэрэгъун Астемыр ещанэ щыхъуащ. Килограмм 54-рэ иримыкъухэм я зэпеуэм пашэ щыхъуащ Каблахов Таймураз. Абы дыжьын медалыр къыщыIэрыхьащ Жамырзэ Сослъэн. Килограмм 63-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Журт Анзор дыжьын медалыр къыщихьащ. Килограмми 100 хъухэм дыщэр къафIихьащ Тубей Мухьэмэд. Зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэм Iэмал ягъуэтащ Урысей Федерацэм пашэныгъэ къыщыхьыным теухуауэ мэлыжьыхьым и 3 — 7-хэм Москва щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтыну. Апхуэдэуи, абыхэм иратащ медалхэр, щIыхь тхылъхэр, ахъшэ саугъэтхэр, тыгъэ лъапIэхэр. КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25478.txt" }
Дыщэидэм и щэхухэр Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ IэпщIэлъапщIагъэр хэхэсхэми яхъумащ. Ар пхузэфIэкIын щхьэкIэ, я нэхъ мащIэрамэ, адыгагъэр уи лъым хэтын хуейщ. Апхуэдэхэщ Истамбыл щыпсэу ДыщэкIхэ Елмэсрэ Айшэрэ зэшыпхъуитIыр. Бзылъхугъэхэр ЮгославиекIэ зэджэу щыта къэралыгъуэм хиубыдэ Становыцэ къуажэм къыщалъхуащ. 1961 гъэ лъандэрэ Тыркум щопсэу, Истамбыл дэт Кавказ Щэнхабзэ Хасэм жыджэру хэтщ 1968 гъэм къыщыщIэдзауэ. Абыхэм дыщэидэ ящI, адыгэ фащэхэр, абыхэм екIун вакъэхэр яд. КъинэмыщIу, фащэхэр зэрагъэдахэ хьэпшыпхэр, цIыхубз сумкэ, пыIэ, щIакIуэ… зэшыпхъуитIым я Iэпэм къыпымыкI фIыгъуэ бгъуэтынукъым. Хэкур, лъэпкъыр, абы къыдекIуэкI щэнхабзэр Елмэсрэ Айшэрэ псэкIэ зэрызыхащIэм щыхьэт тохъуэ иджыблагъэ Налшык къыщыдэкIа «Дыщэидэ» зыфIаща тхылъыр. Ар и теплъэкIи и зэхэлъыкIэкIи хьэлэмэтщ. НапэкIуэцIи 128-м псалъащхьэ щхьэхуэ-щхьэхуэурэ зэхэхауэ къыщыхьащ дыщэидэ лIэужьыгъуэхэр (нэшэкъашэ, хьэлыуэ IупщIэ (ромб), хьэлыуэ IупщIэ зэблэкI, нэ цIыкIу хэту хьэлыуэ IупщIэ, гудзищ зэгуэту, плIимэ зыхэт, кIыхь зэблэдз, щимэ зэгуэт хэту нэшэкъашэ, нэгъуэщIхэри), хэдыкIхэр, уагъэ-щагъэ зэIущэкIэхэр. Дыщэидэр ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI хэдыкIыкIэщ. Пасэм ар къызэрагъэсэбэпу щытар щыгъыныгъуэхэр зэрагъэщIэращIэ Iэмал къудейтэкъым, атIэ абы и тхыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къагъэлъагъуэрт хэт сыт хуэдэ лIакъуэм щыщми. Апхуэдэуи, бзылъхугъэ IэпщIэлъапщIэхэм дыщэ IуданэкIэ лъэпкъ дамыгъэхэр хадыкIырт. Абыхэм гупсысэшхуэ ящIэлът, цIыхубэм ягъэлъапIэрт. А псор яхъумащ ДыщэкI зэшыпхъуитIым. Елмэсрэ Айшэрэ я тхылъыр фIы зыщIым ящыщщ дыщэидэм зезыгъэсэну хуейхэм ар къаймыхьэлъэкIыу тхылъымкIэ зэрызрагъэхъулIэфынур. Тхылъыр гъэдэхащ зэшыпхъуитIым я IэдакъэщIэкIхэм я сурэтхэмкIи (фащэхэр, пыIэхэр, тхыпхъэ хэдыкIахэр, уагъэхэр, нэгъуэщIхэри). Сурэтхэри тхылъым и теплъэри зи лэжьыгъэ дизайнер, фотохудожник Щоджэн Жаннэ и къалэныр дэгъуэу къехъулIащ. Тхылъым и редакторыр Къаныкъуэ Заринэщ. Гулъытэ зыхуэщIыпхъэхэм ящыщщ тхылъым узыщрихьэлIэ Iуданэтешэр зищIысыр зэшыпхъухэм къызэрыдгурагъаIуэр. «Iуданэтешэр адыгэхэм IэрыщI IэщIагъэу ящIу щытахэм языхэзщ, ари кIуэдыжхэм ящыщщ. Ар уагъэм хуэдэу куэдым ирахьэлIэрт, уеблэмэ уагъэмрэ Iуданэтешэмрэ зы щыгъыным щыхалъхьи щыIэт. Iуданэтешэр зэфэзэщуи зэмыфэгъууи ящIырт. ЗрахьэлIэнум хуэфащэу, дыщэплъым е дыщэхум, Iуданэ фIыцIэ е плъыжь-фIыцIафэ зэхуэдиз-зэхуэдизу трашэрт. Iуданэтешэр зытепшэну бжьэхуц Iуданэр мыкъурэу, мылэрыгъуу, щабэу, лалэу джауэ щытын хуейщ. Iуданэ щабэм щытепшэкIэ, Iуданэтешэр нэхъыфIу нэхъ зэщыгуа мэхъу», — щытхащ абы. АдэкIэ къокIуэ адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ зэрахьэу щыта хабзэхэм ящыщ зы лIэужьыгъуэ — джэдыкIэ хэдыкIыныр. «Хэкур ябгынэу дуней хъурейм икъухьа щыхъуми, адыгэхэм яхъумащ мы хэдыкIыкIэ лIэужьыгъуэр. Ар блэкIа лIэщIыгъуэм и ныкъуэхэм къэсыху зэрахьэу къекIуэкIащ. ХьэгъуэлIыгъуэ хъуами, джэгу, нысашэ, гущэхэпхэ, лъэтеувэ, шыгъажэ, н.къ. щащIкIэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэм деж зэрызэныкъуэкъухэм хуэдэу, джэдыкIэр лъагапIэ гуэрым фIадзэрти, абы хэщIыхьа нэ фIыцIэм трагъэхуэну шабзэкIэ, фочкIэ, кIэрахъуэкIэ еуэрт, зэпеуэхэу». Елмэсрэ Айшэрэ тхылъым къызэрыщаIуатэмкIэ, зи гугъу ящI хабзэр ноби адыгэм щыгъупщакъым, ауэ, нэщанэуапIэу зэрамыхьэжми, джэдыкIэ хэдыкIар гъэщIэрэщIэн Iуэхугъуэхэм къыщыбгъэсэбэп хъунущ, гукъинэ хьэпшыпу зыгуэрым урихуэупсэнуи фIыщ. Щагъэ. Мыр кIапсэ пэлъытэу зэрахьэу щытащ, унагъуэр зыхуей, зыхуэныкъуэ псоми ирахьэлIэу. Псалъэм папщIэ, унагъуэм щызэрахьэхэр мэлыцым, бжэныцым, шыкIэм, чэтэным къыхащIыкIырт. Щыгъын гъэщIэрэщIэным ирахьэлIэ щагъэхэр шылэ Iуданэми, дыщэ Iуданэми, сыт хуэдэ данэ Iуданэми къыхащIыкIырт; зэфэзэщуи, фэзэщымыщуи зэхалъхьэрти, кусэу, зэпрыдзу плIимэхэр хэту, теплъэ дахэхэр яIэу ящIырт, кхъуакIэ зыхуащIи щыIэт… Дэнлъэчыр (дыщэ уагъэ зэрыхъащ, адыгэ фащэхэр, псом хуэмыдэу, цIыхубз дыщэ пыIэр ирагъэщIэращIэ) зэрыщIыпхъэми гурыIуэгъуафIэу тепсэлъыхьащ цIыхубз IэпщIэлъапщIэхэр. Тхылъыр купщIафIэщ, нэхъыщхьэращи, ар адыгэбзэкIэ тхащ, сыт хуэдэ хэдыкIыкIэми и тхыпхъэр схемэкIэ къыщыгъэлъэгъуащ. Лъэпкъ IэщIагъэхэм хуэIэкIуэлъакIуэ Елмэсрэ Айшэрэ я лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуауэ щытащ Узун-Яйла щIыналъэм хиубыдэ адыгэ къуажэхэм къыдэкIауэ Истамбыл дэсхэм къызэрагъэпэща я Хасэм. ЗэшыпхъуитIым я лъэужь ирикIуэн цIыхубз зыбжани ягъэсащ. ФIыщIэ яхудощI лъэпкъ IэщIагъэр зыхъумэ Елмэсрэ Айшэрэ. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25481.txt" }
Куба къуажэм спорт IуэхущIапIэщIэ щаухуэ КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэр зэпымыууэ кIэлъоплъ республикэм спорт IуэхущIапIэхэр зэрыщаухуэм. Апхуэдэ ухуэныгъэу Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм щекIуэкIым иджыблагъэ щыIащ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мамхэгъ Хьэчим. Дызэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и спортсменхэр «Кавказ джэгукIэхэр» зэпеуэм зэрыщытекIуам папщIэ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуани 100 къыхуаутIыпщащ. Куба дащIыхь спорт комплексым текIуэдэнур а ахъшэм щыщщ. Ухуэныгъэр дызэрыт илъэсым къриубыдэу зэфIагъэкIыну я мурадщ. Комплексыр гъущI пкъыгъуэ мыхьэлъэхэм къыхащIыкIынущ. Абы къуажэдэс щIалэгъуалэм спортым и лIэужьыгъуэ зыбжанэм зыхуагъэсэн папщIэ зыхуеину Iэмэпсымэхэмрэ пэшхэмрэ хэтынущ. Гъэунэ Светланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25484.txt" }
Ди нэхъыжь Iумахуэ Композитор цIэрыIуэ, Урысейм и цIыхубэ артист, КъБАССР-ми РСФСР-ми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ди республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Гимныр зытха Къардэн Хьэсэн нобэ къыщалъхуа махуэщ, и ныбжьыр илъэс 90 ирокъури, ди гуапэу дохъуэхъу. Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр, ЩIыхь орденым и етIуанэ нагъыщэр, медаль зыбжанэ зыхуагъэфэща Хьэсэн гугъуехьым ипсыхьащ жыпIэмэ, егъэлея хъунукъым. Сыт хуэдэ Iуэхуми тезыгъэгушхуэн къару къигъэхъуапIэ хуэхъуащ абы гъащIэм къыхуигъэува лъэпощхьэпохэр. Ауэ, зыми емылъытауэ, Хьэсэн ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьащ къыхиха IэщIагъэм. КъБР-м и радиом и хорым и художественнэ унафэщIу, ди республикэм и Композиторхэм я союзым и правленэм и Iэтащхьэу икIи жэуап зыхь и секретару илъэс зэхуэмыдэхэм лэжьа Къардэным и гуащIэ ирихьэлIащ республикэм и макъамэ гъуазджэр зэфIэувэным, ар нэгъуэщI щIыпIэхэми къыщащIэным. Оркестрым щхьэкIи, макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм папщIи лэжьыгъэ куэд, уэрэд, балладэ, драмэ спектаклхэм я макъамэхэр, нэгъуэщIхэри и Iэдакъэм къыщIэкIащ абы, «Мадинэ» япэ лъэпкъ оперэр зытхари (Балэ Мухьэдин щIыгъуу) аращ. Хьэсэн, дынохъуэхъу узыншагъэ быдэ уиIэну, лъэпкъым ухуэщхьэпэу иджыри илъэс куэдкIэ утхуэпсэуну! «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм и лэжьакIуэхэр. Къардэн Хьэсэн и пшыхь Ди нэхъыжьыфI Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэм и ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъум теухуа пшыхь щыIэнущ. Мазаем и 26-м зэхашэну гуфIэгъуэ зэIущIэр щекIуэкIынущ Налшык дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм, сыхьэт 18-м щIидзэнущ. Къардэн Хьэсэн и цIэр Совет макъамэ щIэнгъуазэ иным иратхащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и музыкэ гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, оперэ, симфоние макъамэ лIэужьыгъуэ гугъухэр зи къалэмыпэм мымащIэу къыщIэкIа профессиональнэ композитору. Лъэпкъ макъамэр фIыуэ зылъагъухэр щыгъуазэщ Хьэсэн уэрэдрэ романсу куэд зэритхам. Абыхэм ящыщщ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, дзапэ уэрэд яхуэхъуа «Мой город Нальчик», «Белая голубка», «Ленэ дахэкIей», «Уи цIэр Мадинэ хьэмэ Маринэ», нэгъуэщIхэри. Къардэн Хьэсэн и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ нэсу къыщыгъэлъэгъуащ 2006 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм композиторым теухуауэ къыщыдэкIа «Талант души» тхылъым. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25486.txt" }
Политик жыжьаплъэ, IэщIагъэлI Iэзэ 1923 гъэм мазаем и 23-м къалъхуащ политикэ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIу, КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретару лэжьа, «Хэку» обществэм и тхьэмадэу щыта ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд Хьэгуцырэ и къуэр. ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд Обкомым и къудамищым и нэIэ тет зэпытт абы: пропагандэмрэ агитацэмрэ, щIэныгъэр, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр. Мис а унэтIыныгъэхэм заужьынымкIэ лэжьакIуэ емызэшыжым ищIар къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. ЩIэныгъэфI, зэфIэкI къызэрымыкIуэ зиIэ, политикэм хуэIэзэ, Совет къэралым хуэпэж Мухьэмэд республикэм и унафэщIхэм я дзыхь кърагъэзырт. Ар КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату мызэ-мытIэу хахащ икIи абы и унафэщIу щытащ. Хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм япыщIауэ щытыным хуэлажьэ Совет комитетым и къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ зыщ ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд. иужькIэ «Хэку» обществэр зэхишащ икIи пенсэм кIуа нэужь, илъэс зыбжанэкIэ абы и унафэщIу щытащ. ШэджыхьэщIэм и псэемыблэж лэжьыгъэм папщIэ къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь, «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденхэр, Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр, медаль куэд, нэгъуэщIхэри. Жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэр, Хэку зауэшхуэм и ветераныр 1996 гъэм фокIадэм и 1-м дунейм ехыжауэ щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, блэкIа лIэщIыгъуэм и 60-70 гъэхэм республикэм и идеолог нэхъыщхьэу ялъытэу щыта ШэджыхьэщIэм дэлэжьахэм, зыцIыхуу щытахэм я гукъэкIыжхэм хухэтха напэкIуэцI ди газетым и къыкIэлъыкIуэ номерхэм ящыщ зым тетынущ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25490.txt" }
МыкIуэдыжын лъэужь КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр тIэунейрэ зыхуагъэфэща, КъБР-м и цIыхубэ артист, адыгэ щэнхабзэмрэ литературэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, мыкIуэдыжын лъэужь къыхэзына КъардэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 95-рэ ирокъу. Адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыным, ахэр джыным, гум дыхьэу гъэзэщIэным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкIа тхакIуэ, IуэрыIуатэмкIэ щIэныгъэлI, уэрэджыIакIуэ КъардэнгъущI Зыра- мыку куэд хузэфIэкIащ. Мис а и гуащIэм, и гъащIэм теухуауэ и ныбжьэгъу-лэжьэгъухэм къыхужаIахэм щыщхэр щызэхуэхьэса газет щхьэхуэ Истэпан Залинэ игъэхьэзырри, нобэрей къыдэкIыгъуэм гъусэ хуэтщIащи, цIыху цIэрыIуэр иджыри зэ фигу къэвгъэкIыжмэ ди гуапэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25494.txt" }
Мы махуэхэм Мазаем и 23, щэбэт Хэкум и хъумакIуэм и махуэщ 1942 гъэм Къардэн Къубатий Ленин орденыр япэу къратащ. КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Пащты СулътIан къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Акъсырэ МуIэед къызэралъхурэ илъэс 82-рэ ирокъу. УсакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъубжокъуэ Лиуан къызэралъхурэ илъэс 76-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм 1 градус, жэщым 0 — 1 щыхъунущ. Мазаем и 24, тхьэмахуэ Шэрджэс тхакIуэ Уэхъутэ Абдулыхь къызэралъхурэ илъэси 104-рэ ирокъу. Драматург, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Щхьэгъэпсо Мухьэмэд къызэралъхурэ илъэс 98-рэ ирокъу. Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Алшагъыр Борис и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс къыщесынущ. Махуэм хуабэр 1 градус, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ. Мазаем и 25, блыщхьэ 1946 гъэм Дзэ Плъыжьыр Советыдзэу зэрахъуэкIащ. Флотым и адмирал, адыгэхэр къызытепщIыкIыжа касогхэм ящыщ Ушаков Федор къызэралъхурэ илъэс 268-рэ ирокъу. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБКъУ-м и япэ ректору щыта Бэрбэч ХьэтIутIэ къызэралъхурэ илъэс 97-рэ ирокъу. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIуэкIуэ Джэмалдин и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу лэжьа (2009 — 2012), ЩIДАА-м и академик, «Бум-Банк» ООО-м и унафэщI Ажахъуэ Къанщобий и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр 1 градус, жэщым щIыIэр градуси 2 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25496.txt" }
Къалэн лъапIэ Урысей Федерацэм, Белоруссием, Украинэм, Къыргъызым мазаем и 23-м щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр 1922 гъэм СССР-м къыщыхалъхьауэ щытащ «Дзэ Плъыжьымрэ флотымрэ я махуэу». 1949 гъэм щегъэжьауэ 1993 гъэ хъуху «Совет Армэмрэ Дзэ-Тенджыз флотымрэ я махуэ» цIэр зэрихьащ абы. СССР-р лъэлъэжа нэужьи, СНГ-м и къэрал зыбжанэм щагъэлъапIэу къэнэжащ мы махуэр. ЗэрыжытIащи, нэхъапэм ар Дзэ Плъыжьыр къыщызэрагъэпэща махуэу къалъытэу екIуэкIащ. Ар ягъэлъапIэу ягъэувыныр къызыхэкIар 1918 гъэм мазаем и 23-м IэщэкIэ зэщIэузэда гуащIэрыпсэухэм нэмыцэдзэхэр Псковрэ Нарвэрэ я зэхуакум деж къызэрыщызэтрагъэувыIам мыхьэнэшхуэ дыдэ зэриIар къагъэлъэгъуэнырт. Тхыдэм сыт и лъэныкъуэкIи икIи хэт хуейми «хэпщэфIыхь» щыхъуа лъэхъэнэм абы теухуауэ жаIэр нэгъуэщIщ. Сыт хуэдэу щымытами, 1923 гъэм мазаем и 5-м республикэм и Реввоенсоветым и Iэтащхьэм къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, мазаем и 23-р ягъэуващ IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я махуэу. Абы лъандэрэ лъапIэ дыдэу къалъытэу щытащ зи гугъу тщIы махуэр. Уеблэмэ ар нэгъуэщI къэралхэми къыдаIыгъырт. Псалъэм и хьэтыркIэ, 1943 гъэм мазаем и 23-м США-м и президент Рузвельт Франклин Сталиным абыкIэ къехъуэхъуу телеграммэ къыхуигъэхьауэ щытащ. Зэман дэкIри, махуэшхуэм и цIэр зэрахъуэкIащ. Ауэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, и купщIэр къэнащ. Ядернэ Iэщэ зыбгъэдэлъ, япэу цIыхур хьэршым зыгъэлъэта къэралым апхуэдэ махуэ игъэлъэпIэн зэрыхуейми шэч хэлъкъым. Пэжщ, иужь илъэсхэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я зэфIэкIым хэщIауэ щытащ, ауэ иджы абы нэрылъагъуу зеужьыж. Сыт апхуэдэ къарухэм Урысейр щIыхуейр? Ди къэралым хузэфIэкI къигъанэркъым дунейм мамырыгъэр щызэтриIыгъэн папщIэ. Ар пхузэфIэкIын щхьэкIэ укъызыкъуэгушхукIын къаруи ббгъэдэлъын хуейщ. Хэкум и хъумакIуэм и махуэр урысей армэм и текIуэныгъэм, и щIыхьым, къарумрэ лъэщагъымрэ, Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэм я закъуэкъым зи махуэр, атIэ лIыгъэм, хэкупсагъэм, хахуагъэм я махуэшхуэщ. Мазаем и 23-м дэ дигу къыдогъэкIыж къыдэкIуэтей щIэблэм мамырыгъэ къахуэзызэуа, лъахэр яхуэзыхъума, Хэку зауэшхуэм хэта ди адэшхуэхэри. Нобэ я махуэщ иджыпстуи шынагъуэншагъэр, хуитыныгъэр, зэпIэзэрытыныгъэр къытхузэзыгъэпэщхэмрэ къэралым и лъэщагъыр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэмрэ. Шыпш Даянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25499.txt" }
Зэманым декIухэр Къэралыр нэхъ лъэщ щIыным, республикэм зиужьыным жэщ-махуэ ямыIэу хуэлажьэ къулыкъущIэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсенрэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Русланрэ къыщалъхуа махуэхэр дыгъуасэ ягъэлъэпIащ. Ди лъахэм щыпсэу лъэпкъхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр, экономикэм зегъэужьыныр, туризмэм зегъэубгъуныр, мэкъумэш IэнатIэмрэ промышленностымрэ фейдэ къапэкIуэныр — аращ ди Iэтащхьэхэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжыр, псэху ямыIэу зытелажьэр. Абыхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ я лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэмрэ арэзы тохъуэ ди лъахэгъухэм я нэхъыбапIэр. А псоми къабгъэдэкIыу дохъуэхъу зэманым декIуу бакъуэ, абы къыздихь зэхъуэкIыныгъэхэм сыт щыгъуи хуэхьэзыр, гугъуехь псоми хэкIыпIэ къахуэзыгъуэтыф ди унафэщIхэм. Къарурэ зэфIэкIыу яIэр мыкIуэщIу, узыншагъэ быдэ яIэрэ гуныкъуэгъуэм пэIэщIэу, я лъэр щIэзыгъэкI бынхэм я ехъулIэныгъэхэм иригушхуэу, адэжь лъахэм хуащIэ Iуэху дахэхэм фIыгъуэ куэд къапэкIуэжу, кърахьэжьэ жэрдэмхэр къадэзыгъэпсынщIэн лэжьакIуэхэм щымыщIэу куэдрэ ди япэ итыну ди гуапэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25502.txt" }
Къанокъуэ Арсен щIыналъэхэм я унафэщI нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ «Медиалогие» ООО-м игъэхьэзыращ 2013 гъэм и щIышылэ мазэм губернаторхэм я рейтингыр зыхуэдэм теухуа тхыгъэ. Абы ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм я унафэщIхэм ящыщу еплIанэ, УФ-м и щIыналъэхэм я унафэщIхэм ящыщу 35-нэ увыпIэр иIыгъщ. Рейтингхэр щызэхигъэувэкIэ, «Медиалогие» ООО-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэу мин 11-м щIигъум къытрадзэхэр къегъэсэбэп.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25506.txt" }
ДощIэж, дропагэ Налшык къалэ администрацэр, Къалэн куэд зыгъэзащIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIалэгъуалэгъуалэ центрыр, «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэр зэщIыгъуу «ДощIэж. Дропагэ» псапащIэ Iуэхур мазаем и 21-м ирагъэкIуэкIащ. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр республикэм и куей зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэрагъэпэщащ, абы хэтащ цIыху 50-м щIигъу. КъищынэмыщIауэ, зэхыхьэхэм я гуапэу зыкърагъэхьэлIащ къалэм и щIалэгъуалэ советым хэтхэм, республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэм. Гуп-гупу зызыгуэша щIалэгъуалэм ягъэкъэбзащ къалэм дэт фэеплъхэр, «Затишье» хьэблэм щыIэ кхъэм ит сынхэр. Мы Iуэху щхьэпэм хэтахэр Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я деж кIуэурэ махуэ лъапIэмкIэ ехъуэхъуащ, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэмрэ Ветеранхэм я совету Налшык щыIэмрэ зэхуахьэса саугъэтхэмкIэ нэхъыжьхэр ягъэгуфIащ. КъаIэта Iуэхур хуабжьу сэбэпщ зи щIалэгъуэр хэкупсэу, лъахэм лъагъуныгъэ хуаIэу, нэхъыжьым пщIэ хуащIу къэгъэтэджынымкIэ. Ди жагъуэ зэ- рыхъущи, кхъахэ хъуауэ зыкIэлъымыплъыж сын куэд диIэщи, ахэр гулъытэншэу къэдгъанэ хъунукъым. Джэдгъэф Маринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25513.txt" }
Ди щIалэхэр дунейпсо чемпионатым хуэхьэзырщ УФ-м и МВД-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэ нэхъыщхьэу Краснодар крайм щыIэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я командэ къыхэхахэм иджы япэу зэщIыгъуу Iэпщэрыбанэ зэзауэмкIэ еджэныгъэ-зыгъэсэныгъэхэр щрагъэкIуэкIащ Iуащхьэмахуэ лъапэ — «Вольфрам», «Динамо» пансионатхэм. Ар сэбэп хъуащ спортсменхэм къапэплъэ зэхьэзэ-хуэшхуэхэм нэхъ тегушхуэнымкIэ. Апхуэдэу, ахэр хэтынущ гъатхэпэм и 14 — 17-хэм Урысей Кубокыр къэхьыным теухуауэ Москва щекIуэкIыну, Iэпщэрыбанэ зэзауэмкIэ гъатхэпэм и 20 — 22-хэм Дон Iус Ростов щызэхэтыну зэпеуэм, «Урысейм и лIыхъужь адмирал Угрюмов Герман и Кубок» турнирым, Iэпщэрыбанэ зэзауэмкIэ гъатхэпэм и 24 — 27-хэм Урысейм и МВД-м и чемпионату Екатеринбург щыIэнум. Зыгъэсэныгъэхэм хъарзынэу зыкъыщызыгъэлъэгъуа Беслъэней Нурмухьэмэдрэ Мырзэкъан Азэмэтрэ Урысейм и командэ къыхэхам хэту кIуэнущ Iэпщэрыбанэ зэзауэмкIэ мэлыжьыхьым и 20 — 22-хэм Москва щекIуэкIыну дуней-псо чемпионатым. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25516.txt" }
IэрыкI телъыджэхэр Курыт еджапIэхэм техно-логие дерсымкI эя республикэ олимпиадэ екIуэкIащ. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэща Iуэху дахэр Налшык дэт школ-интернат №3-м щызэхэтащ. Къуажэхэм, районхэм нэхъыфIхэр къыщыхахри, олимпиадэм и иужьрей Iыхьэу зэхыхьэр къызэрагъэпэщауэ арати, утыку кърахьар фIым я фIыжхэрт. Класс нэхъыжьхэм щеджэ щIалэхэмрэ хъы-джэбзхэмрэ я лэжьыгъэхэр, IэрыкI телъыджэхэр плъэгъуа иужь, щIалэгъуалэм яхуэшхыдэу, ахэр зыри хуэмейуэ жаIэу къекIуэкI псалъэмакъхэр плъэмыкIыу лъэныкъуэ ибогъэз. Дэтхэнэми тхыгъэ щхьэхуэ тебухуэным хуэдизщ абыхэм я дахагъэмрэ зэрыгъэщIэгъуэнымрэ. Хэбдзын хэлъкъым щIалэхэми бзылъхугъэ цIыкIухэми ящIа теплъэхэм: сурэтхэм, хэдыкIхэм, хьэпIацIэщыгъэкIэ бла теплъэгъуэхэм, пхъэм тещIыхьа сурэтхэм, Iэнэ лъакъуищымрэ абы щIыгъу шэнт щхьэгуэхэмрэ, лъэпкъ фащэхэм, тхыпхъэщIыпхъэ дахэу зэIуща стIол тепхъуэм, сабыным къыхэщIыкIа удз гъэгъахэм, зи щхьэр къытепх хъууэ щIа къэб-фалъэм, къызэрыгуэкI тхылъымпIэ напэ зэкIуэцIылъхьахэмкIэ щIа къыу дахэм, нэгъуэщI куэдми. ЩIалэхэм я лэжьыгъэхэр къапщытащ КъБКъУ-м и педагогикэ факультетым хьэрычэтыщIэ Iуэхухэр зэраубзыху IэмалхэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, доцент, техникэ щIэныгъэхэм я кандидат Хьэтыхъу Владимиррэ а факультет дыдэм и доцент, физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат Насып Артуррэ. Хъыджэбзхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэпкърахащ КъБКъУ-м гъуазджэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и факультетым декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и кафедрэм и доцентхэу СулътIан Аминэрэ (факультетым и унафэщIым и къуэдзэщ) Махуэ Равидэрэ. Лэжьыгъэхэр къалъытащ зэращIа Iэмалым и тыншагъ- гугъуагъым, ар къазэрехъу-лIам, щIэщыгъуэу хэплъхьэфыну къагъэнахэм е щIэщыгъуэу къагъэсэбэпам, нэгъуэщIхэми ятещIыхьауэ. Тыншауэ пхужыIэнукъым абыхэм я къалэныр (газетеджэхэм лэжьыгъэхэр наIуэу ямылъэ-гъуами, мы тхыгъэм щIыгъу сурэтхэм Iуэхур тращIыхьмэ, апхуэдэу щIыжысIэр гурыIуэгъуэ ящыхъунщ). 9-нэ классым, 10 -11-нэ классхэм щыщу зи лэжьыгъэ нэхъыфIу къалъытахэр ягъэнэIуащ. Ауэ нэхъыщхьэр текIуэныгъэркъым, зи насып къэкIуэгъуэ ныбжьыщIэхэм къалъыкъуэкI IэпэIэсагъэмрэ зэфIэкIымрэщ, шыIэ яхэлъу, зыхуейр къагурыIуэрэ зыхуагъэувыж мурадхэм ерыщу хуэкIуэу къызэрытэджырщ. тхыгъэри сурэтхэри зейр ИСТЭПАН Залинэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25519.txt" }
ЩIэблэр тхыдэм и хъумакIуэщ Кавказым щекIуэкIа зауэр зэриухрэ илъэс 70 зэрырикъум ехьэлIа дауэдапщэ иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ. ЦIыху щэ ныкъуэм нэблагъэ хэтащ метр 3800-рэ зи лъагагъ бгым трагъэува фэеплъым деж щащIа пэкIум. КъБР-м и гъунапкъэхъумэ IуэхущIапIэм, Дзэ комиссариатым, республикэм, Iуащхьэмахуэ куейм я лIыкIуэхэм, школакIуэхэм, а щIыпIэм зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуахэм ягу къагъэкIыжащ Iуащхьэмахуэ лъапэ псэемыблэжу зыхъумахэр. Илъэс 70 и пэкIэ а сэлэт лIыхъужьхэм, альпинистхэм Iуащхьэмахуэ и къухьэпIэ лъэныкъуэм фIэлъа фашист штандартхэр къыфIахыжри, Нып плъыжьыр щаIэтауэ щытащ. ПэкIур къыщызэIуихым, Эльбрус къуажэ администрацэм и унафэщI Курданов Узеир къыхигъэщащ, «Мемориал-Эльбрус» къэлъыхъуакIуэ гупыр мазаем и 12-13 жэщым Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIуеяр. «ПщIэрэ щIыхьрэ яхуэфащэщ мы къэлъыхъуакIуэ гупым хэтхэм. Абыхэм я фIыщIэщ Iуащхьэмахуэ зыхъума сэлэтхэр нобэми къызэралъыхъуэр», — жиIащ Курдановым. Фигу къэдгъэкIыжынщ, нэгъабэ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм ирихьэлIэу «Мемориал-Эльбрус» къэлъыхъуакIуэ гупым сэлэт пщыкIутIым я хьэдэ къупщхьэхэр къагъуэтыжри, Терскол дэт кхъэм щыщIалъхьэжауэ щытащ. Iуащхьэмахуэ куейм и администрацэм и унафэщI Малкаров Аслъэн къыхигъэщащ а щIыпIэм щекIуэкIа зауэм иIа мыхьэнэр. — Ди сэлэтхэм зэрахьа лIыгъэм и фIыгъэкIэ, Кавказ къурш щхьэдэхыпIэр зыубыдыну зи мурада бийр Iуащхьэмахуэ къыфIагъэкIакъым, уеблэмэ нэмыцэ-дзэм хэщIыныгъэшхуэхэр яIэу ирагъэкIуэтащ. «Зэныбжьэгъугъэ», «мамырыгъэ», «зэгурыIуэныгъэ» псалъэхэр мызэ-мытIэу къыхигъэщащ Башкортостан дэт музейм и унафэщI Утяев Ильшат. «Зауэм и Iэ щIыIэр ди республикэми къылъэIэсащ. Ди хэкум, дыкъыщалъхуа щIыналъэм худиIэ лъагъуныгъэ гъунапкъэншэм и фIыгъэщ дэ текIуэныгъэр къызэрыт-хьар». Ар жиIэри, музейм къыбгъэдэкI фэеплъ тыгъэхэр зэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэхэм, Терскол дэт курыт еджапIэм, яритащ. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Хьэсанэ Ислъам жиIащ мы зэIущIэр зи жэрдэмыр Терскол дэс школакIуэхэр зэрыарар пэкIум хэтахэм гъэщIэгъуэн, гуапэ зэращыхъуар. ИкIи къыхигъэщащ тхыдэр зыхъумэнур къыдэкIуэтей щIэблэр зэрыарар. Махуэшхуэр ягъэлъэпIащ зи тхьэкIумэм зэхимыххэм бгы-лыжэ спортымрэ сноубордымкIэ я федерацэм и лIыкIуэхэми. Кавказым щекIуэкIа зауэр зэриухрэ илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу ахэр Iуащхьэмахуэ къэкIуащ, лыжэкIэ бгым къежэхын папщIэ. Метр 3500-рэ зи лъагагъ бгым тет музейм и унафэщI Павленкэ Михаил кIэщIу тепсэлъыхьащ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIа зауэр зыхуэдам, лIыгъэ зезыхьахэм къагъэсэбэпа хьэпшыпхэр, Iэщэ-фащэхэр яригъэлъэгъуащ. Азау губгъуэм щыхэкIуэдахэм я цIэкIэ школакIуэ цIыкIухэм шар гъэпщахэр уафэгум ираутIыпщхьащ, апхуэдэуи ДОСААФ-м къызэригъэпэщри, Азау-Налшык гъуэгум машинэкIэ ирикIуащ. КIэлъыкIуэу пэкIу щекIуэкIащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Терскол дэтым деж. Хэку зауэшхуэм и ветеран, Сталинград щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм хэта Бичекуев Хьэжмурат жиIащ Iуащхьэмахуэ и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ фIэлъа фашист ныпыр къыфIэзыхыжа щIалитхур ицIыхуу зэрыщытар. «Ар икъукIэ зэман хьэлъэт. Iуащхьэмахуэ лъапэ деж ди сэлэтхэр щэ бжыгъэкIэ щыхэкIуэдащ. Ауэ къелахэм яхузэфIэкIащ Кавказыр нэмыцэ-зэрыпхъуакIуэхэм щахъумэн», — жиIащ Хьэжмурат. Терскол курыт еджапIэм щIэс цIыкIухэр хахуагъэм, лIыхъужьыгъэм теухуа усэхэм къеджащ, я нэхъыжьхэм пщIэ зэрыхуащIым, зэрахьа лIыгъэр зэращымыгъупщам и щыхьэту фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. «Терскол» гъунапкъэхъумэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм школ пщIантIэм къыщызэрагъэпэща пщэфIапIэм сэлэтхэм я ерыскъыхэкIхэр щапщэфIри, къызэхуэсахэр ягъэшхащ. ЗэIущIэм и кIэухым Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и зыгъэпсэхупIэ унэм концерт щекIуэкIащ. Абы и пэ къихуэу утыкум къыщыпсэлъащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Хаджиев Къазий. Абы къиIуэтэжащ советыдзэр Iэмал имыIэу зыхуеину хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэкIхэмрэ къуэ куухэм яхузэпришурэ сэлэтхэм ядэIэпыкъуу зэрыщытар. Тарим Алисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25525.txt" }
Композитор гъуэзэджэ, цIыху гуащIафIэ Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэм и ныбжьыр илъэс 90 ирокъу Макъамэр зи псэм щыушэ Макъамэр фIыуэ зылъагъуу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм куэд щIауэ гуапэу и цIэ къраIуэ Къардэн Хьэсэн — музыкэ гъуэзэджэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа композитор цIэрыIуэм. Ар жанр псоми щолажьэ, псом хуэмыдэу уэрэд телъыджэхэр еус, камернэ музыкэ етх. Симфоние лэжьыгъэшхуэу, гъэщIэгъуэну Хьэсэн куэд дыдэ иIэщ. Ар иджыри цIэрыIуэщ кантатно-ораторие макъамэкIэ. Абы и щапхъэу урикъунущ «Светлая дружба» зыфIища кантатэм и закъуэ. Къардэн Хьэсэн 1923 гъэм мазаем и 23-м Шэджэм районым хыхьэ Шэджэм Езанэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Екъуб къуажэ гъукIэт, и анэ Лъостэ пшынэ еуэрт. АрщхьэкIэ, бын пIынри, унэм ис нэхъыжьхэм якIэлъыплъынри, колхоз лэжьыгъэри зи пщэм дэлъ бзылъхугъэм абы гулъытэшхуэ зэрыхуимыщIыфым къыхэкIкIэ, а и зэфIэкIым хигъэхъуэну Iэмал иIакъым. Иджыри школым щIэс щIыкIэ Хьэсэн гу хуищIащ макъамэм. Ар зи фIыгъэр адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ Бекъшокъуэ Жумалдин и унафэщIу лъэпкъ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ школым щылэжьа оркестрырщ. Абы Хьэсэн макъамэ Iэмэпсымэхэм къанэ щымыIэу зыщыхуигъэсащ. 1937 гъэм зи адэр дунейм ехыжа, илъэс 14 фIэкIа зи мыныбжь Хьэсэн Налшык щыIэ школ-интернатым ягъакIуэ. Абы нэхъри макъамэм пэгъунэгъу щыхуэхъуащ щIалэ цIыкIур: художественнэ самодеятельностым, оркестрым хэтщ. Макъамэ кружокым макIуэ, уэрэд цIыкIухэр етх, абыхэм ящIилъхьэ макъамэхэм и ныбжьэгъухэр ирегъэдаIуэри, къехъулIэу къыщыжраIэкIэ, Iуэхум нэхъри тогушхуэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, музыкант хъун щхьэкIэ еджэным занщIэу пищэну къыхуиухатэкъым Хьэсэн. 1942 гъэм Къардэн Хьэсэн зэуапIэм Iухьэри, Кавказым щыщIэдзауэ Германием нэс гъуэгуанэ кIыхьыр зэпичащ. Зауэр иухри, 1946 гъэм абы унэм къигъэзэжащ. МафIэ лыгъэм щыхэтми IэщIыб имыщIа и мурадыр — макъамэм хуеджэныр — пIалъэкIэ зримыгъэтIылъэкIыу хъуакъым. ГущIэгъуншэ зауэм иухъуэнщIа жылэм Iэпщэрылажьэу фIэкIа ущыпсэуфынутэкъым, атIэми гугъуехьым зи къарур щIилъэсыкIа и анэр куэд дэмыкIыу дунейм ехыжащ. «Къэбэрдей пэж» газетым лэжьэн щыщIидзащ Хьэсэн, арщхьэкIэ и плъапIэр гум щэхуу щигъафIэрт. 1947 гъэм ар щIэтIысхьащ Римский-Корсаковым и цIэр зэрихьэу Ленинград дэт консерваторэм къыщызэIуаха къэбэрдей оперэ студием. Къардэныр щеджащ профессор Исаченкэ Константин и деж, абы и унафэм щIэту макъамэ гъуазджэм и щэхухэр зригъэщIащ. КомпозицэмкIэ егъэджакIуэ гъуэзэджэ, профессор Кушнарев Христофор и дерсхэри Хьэсэн и дежкIэ уасэ зимыIэт. Къардэным къыхиха IэщIагъэм нэхъри трагъэгушхуэу и япэ творческэ лъэбакъуэхэр къыдаIыгъащ композитор цIэрыIуэхэу Мурадели Ванорэ Вольфензон Сергейрэ. Консерваторэм щыщIэса илъэсхэм Къардэным и щIэныгъэм хигъэхъуэным хуэщхьэпащ Ленинград дэт оперэ театр, музей, симфоние оркестрхэм, драмэ театрхэм щагъэлъагъуэ лэжьыгъэхэри. Урыс оперэ, театр лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр илъагъуну, абыхэм я дерсхэм щIэсыну и насып къихьащ. КъеуэлIа фIыгъуэр и фIэщ хуэмыщIу, ар едаIуэрт Чайковскэм, Шостакович, Бетховен, нэгъуэщI композитор гъуэзэджэхэми я IэдакъэщIэкIхэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, зауэ нэужь зэман хьэлъэм къалэшхуэм кIуа студентхэр абы зэрыщымытыншар. Ахэр жэщкIэрэ лэжьэн хуейт, я стипендиер зэрахуримыкъум къыхэкIыу. Абдежми Хьэсэн и насыпыр щытекIуауэ убж хъунущ. Оперэмрэ балетымрэ я Театр цIыкIум мимикэ ролхэр щигъэзащIэу уващ, зэзэмызи спектаклхэм роль мыинхэр къыщыщылъыс щыIэу. ИлъэсиплIым и кIуэцIкIэ а театрым и утыкум щекIуэкIа псоми хэтащ, классикэ макъамэм и щэхухэр къищIэнымкIэ ар сэбэпышхуэ къызэрыхуэхъуам шэч хэлъкъым. Консерваторэм щIэсу Хьэсэн итхащ и япэ уэрэдхэр: «Колхоз щIалэщIэм и уэрэд», «Приходи вечерком на свидание» (1950 гъэ). Абыхэм кIэщIу къакIэлъокIуэ «Белая голубка» уэрэдыр, «В родном краю» симфоние теплъэгъуэр. 1954 гъэм еджапIэр къиухри, Къардэныр Налшык къэкIуэжащ. Абы и гурыщIэ уэрэду цIыхубэм фIыуэ илъэгъуахэри макъамэ гъуазджэм хэзыщIыкI псоми гу зылъата и симфониехэри радиокIэ къатырт, концертхэм щагъэзащIэрт. Профессиональнэ щIэныгъэ зэзыгъэгъуэту къэзыгъэзэжа щIалэр къыпхуэгъэувыIэжынт?! Абы и къалэмыпэм къыщIокI нобэр къыздэсым цIыхубэм яIурылъ уэрэдхэу «Си дуней», «Жэмыш уэрэд», «Хэку нэху», «Шыхъуэм и вагъуэ», «Си къалэ», нэгъуэщIхэри. Абыхэм нэмыщI композиторым а лъэхъэнэм етх симфоние произведенэ хьэлэмэтхэр, «Балъкъэр пшыналъэхэр», адыгэ пшыналъэхэр лъабжьэ зыхуищIа рапсодиехэр, «Ислъэмей», «Къафэ», «Удж» симфоние къафэхэр, поэмэхэр. Сэлэт гъащIэр, дауи, лъэужьыншэ щыхъуакъым Хьэсэн и творчествэм, зауэлIхэм фэеплъ яхуищIа уэрэд зыбжани иIэщ («На Марухском перевале», «Усэ ныкъуэтх», «Уигу игъэлъ, сэлэт», «Хъыбарыншэу кIуэдахэр»). Щхьэхуэу ятепсэлъыхьыпхъэу къыщIэкIынщ Къардэным и гурыщIэ уэрэдхэр. ЗымыщIэ щыIэ къыщIэкIынкъым Бахъуэ БетIал и псалъэхэр зыщIэлъ «Ленэ дахэкIей», «Хэт усIэщIиха?», Гъубжокъуэ Лиуан и усэр зи лъабжьэ «Уи цIэр Мадинэ хьэмэ Маринэ?», Къэжэр Петр и «Сызэхэх» уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри. Ахэр апхуэдизкIэ гурыхь ящыхъуати, уэрэду зэрыжаIэр яфIэмащIэу къызыдэфэ пшыналъэ ящIат. Лъэпкъ оперэ зэи димыIауэ зэрыдгъуэтар зи фIыщIэр Къардэн Хьэсэнщ. Абырэ Балэ Мухьэдинрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэм оперэ хуатхауэ щытащ. Ар псэм дыхьэу тха зэрыхъуам хуэдэ дыдэу, оперэри гурыхь ящыхъуат зылъэгъуа псоми. Профессиональнэ музыкэм зэрыхуэлэжьам къыдэкIуэу, Хьэсэн жыджэру хэтащ жылагъуэ гъащIэми. Илъэс куэдкIэ абы и унафэм щIэтащ КъБР-м и Композиторхэм я союзым и правленэр, абы жэуап зыхь и секретару щытащ, РСФСР-м и Композиторхэм я союзым и правленэм, СССР-м и Композиторхэм я союзым и ревкомиссэм мызэ-мытIэу хахащ. 1969 гъэм Къардэн Хьэсэн къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, 1974 гъэм ар республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат хъуащ. Зыбжанэрэ къратащ гъунэгъу щIыналъэхэм я ЩIыхь, Щытхъу тхылъхэр, макъамэ гъуазджэм хуищI хэлъхьэныгъэфIым папщIэ къэралым и дамыгъэ лъапIэ зыбжанэ къыхуагъэфэщащ. ИужькIэ абы къыфIащащ «РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым хуитха Гимным псори дропагэ. Хьэсэн и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ Москваи, Налшыки, нэгъуэщI къалэхэми къыщыдэкIащ. БЛИЙ Даянэ. Лъэпкъым и дыщэ пхъуантэ Искандер Фазиль итхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Уи лъэпкъ генийр хэту щытми къызжеIи, узищIысыр бжесIэнщ», — жеIэри. Ди гуапэ зэрыхъунщи, адыгэ лъэпкъым лIы нэс куэд къыхэкIащ. Абыхэм ящыщщ мы махуэхэм зи ныбжьыр илъэс 90 ирикъуа Къардэн Хьэсэн. Хьэсэн сыщIалэ цIыкIуу япэ дыдэ сыщыхуэзауэ щытар 1962 гъэращ. Япэ уэрэдыр, «Си гъатхэ» зыфIэсщар, зы композитор гуэрым деж схьати, «мыр хъунукъым, мыбыхэм ухэмыт» къызжиIащ. Сэри сыбзаджэ цIыкIуу къыщIэкIынти, абы жиIам тезмыщIыхьу, Хьэсэн езгъэдэIуэну мурад сщIащ. Iуэхур зыIутыр жесIэу уэрэдым щIэслъхьа макъамэр щезгъэлъагъум: «Алоу-алыхь, мыр цIыхум зэIэпахыу уэрэд хъунущ», — къызжиIат. Абы жыхуиIам хуэдэуи хъуащ, уэрэдыр нобэми жаIэ, ауэ Хьэсэн абдежым къызжиIэу сытримыгъэгушхуамэ, сэ композитор сымыхъункIэ хъунут. «Мастэпэри гуауэщ, мастэпэри гуапэщ», — жиIащ адыгэм. Хьэсэн и псалъэ гуапэм сэри моуэ дамэ къыстригъакIэри, афIэкIа Iуэху сымыщIэу сытхэн щIэздзауэ щытащ. Езы Хьэсэн консерваторэм сыкIуэху сригъэджащ сэ, композитор IуэхукIэ си япэ егъэджакIуэр аращ икIи абы хуабжьу сропагэ. Хьэсэн дауэ лъэпкъым зэрыгуэувар, жыпIэрэ укъызэупщIмэ, си жэуапыр мыращ: гъэтIылъыгъэ жыхуэтIэу уэрэдыпкъ макъамэ нэхъ дахэ дыдэу лъэпкъым иIэхэм ящыщщ Хьэсэн иуса уэрэдхэр. Абы «ПщыхьэщхьэхуэкIуэу си деж къыщIыхьэ» уэрэдым и закъуэ фIэкIа имыусами, си фIэщ хъуркъым игъащIэкIэ лъэпкъым и набдзэу къэмынэну, апхуэдизкIэ макъамэ дахэщ ари. «Анэм и Iэ», «Жаннэ», «Тхьэрыкъуэ пщэху» — дэтхэнэр къыхэбгъэщын. КIэщIу жыпIэмэ, Къардэныр къыщIалъхуар уэрэду къыщIэкIынущ, ар нэгъэсауэ уэрэдусщ. Дэ ди насыпт Хьэсэнрэ Балэ Мухьэдинрэ хуэдэ егъэджакIуэ-ущиякIуэ дызэриIамкIэ. Абыхэм гъуэгур тхузэIуахым, дэ абы хуиту дрикIуэурэ нобэм дыкъэсащ. Ар куэд дыдэ и уасэщ, «Нэхъыжь зимыIэм и Iуэхур Iэнкунщ», — жиIащ ПащIэ Бэчмырзэ. Сэ композитор IуэхукIэ гугъу сехьами, езы Хьэсэн, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, куэдкIэ нэхъ гугъу ехьащ. Сыту жыпIэмэ Хьэсэн япэ зыри итакъым, дэ абы дригъэджэжащ. Уэрэд тхыныр макъамэкIэ зэфIэкIыркъым, абы гармоние, полифоние, фактурэ жыхуиIэхэр и гъусэщ. Ахэр псори уэрэдым и фащэщ, абыхэм ухуе-джауэ щумыщIэм деж гугъущ. Мис абы и лъэныкъуэкIи куэдым дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ Хьэсэн. Къардэн Хьэсэн уэрэдус къудейкъым, симфоние произведенэ телъыджэ куэд иIэщ абы, лъэпкъым и дыщэ пхъуантэм далъхьауэ. Камернэ, инструментальнэ, хоровой жыхуэтIэхэр и куэдщ, балет итхащ, сабий уэрэд дахэхэр иIэщ. Хьэсэн и Iэр здынэмыса зыри къигъэнакъым, сыту жыпIэмэ ар профессиональнэ композиторщ. Куэд лъокI, ауэ сэ уэрэдыр хэIэтыкIауэ щIыжысIэр апхуэдэ уэрэдус телъыджэ зэи диIагъэнукъыми аращ. Хьэсэн гулъытэшхуэ хэлъщ. Композиторхэм я союзми Къэрал филармониеми щылажьэхэм ящыщу зы цIыхуи щыгъупщэнукъым къыщалъхуа махуэмкIэ емыхъуэхъуу. Ар имыщIэми хъунущ, зыми гукъанэ къыхуищIынукъым, ауэ ар абы и хьэкъыу елъытэж, къыбгъурыт цIыхум и гъащIэр, и махуэр нэхъ дахэ ищIыным хэтщ. Хьэсэн сэ сфIэфIу иджыри хэлъри? ЕкIуу, къабзэлъабзэу хуэпауэ, и щхьэцыр дахэу дэжьеярэ дыхумэ дахэ къыкIэрихыу фIэкIа нобэр къыздэсым плъагъунукъым. Абы къикIыр зыщ: ар нэгъэсауэ музыкантщ. Езым и щхьэр егъэлъапIэри, мис апхуэдэу къабзэлъабзэу зыхущытыжщ. Абы куэд дыдэ къеубыд. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ къытхэкIар нэсу тхуэгъэлъапIэркъым, дыхуэмейуэ аракъым, атIэ дунейр апхуэдэу хъуащ. Лъэпкъ бгъэкIуэдынумэ, къэрал быукIынумэ, япэ дыдэ и щэнхабзэр къутэ, щIалэгъуалэр зэмыджэн егъаджэ, зэмыплъын егъэплъ. Сэ си закъуэкъым мыр зи гукъеуэр, езы Хьэсэни мыбыхэм куэдрэ топсэлъыхь, телевиденэм, радиом и нэтыну ар зыхэтхэм абыхэм я гугъу щещI. Куэдрэ согупсыс сэ: «Ярэби, Хьэсэн и жьы хъугъуэм арат хуэфащэр?» — жысIэу. Хьэсэн хуэдэ цIыхур къыщалъхуа махуэм и закъуэкъым щыгъэлъэпIэн хуейр. Къалмыкъым я усакIуэшхуэ, гупсысакIуэшхуэ Кугультинов Давид щIыналъэ унафэщIым унэ хуригъэщIщ, цIыху кIэлъыплъын къищтэри, дунейм ехыжыху абы щIэсащ. Ар хьэкъыу сэ сощIэ. Мис апхуэдэ пщIэ лъысыпхъэщ Къардэн Хьэсэн. Хьэсэн къилэжьа псор си псалъэхэм къысхуимыгъэтIэсагъэнкIи мэхъу, ауэ «Адыгэ псалъэр» къэзгъэсэбэпу сыхуейт ди музыкантхэми, Композиторхэм я союзым хэтхэми къабгъэдэкIыу Хьэсэн иджыри зэ сехъуэхъуну. Узыншагъэ быдэ дяпэкIи уиIэну, Хьэсэн! ХЬЭIУПЭ ДжэбрэIил, КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ. Къэзан Аслъэнджэрий, Къардэн Хьэсэн, ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, Молэ Владимир, Темыркъан Борис, ХьэIупэ ДжэбрэIил сымэ. Апхуэдэхэр зырызщ Къардэн Хьэсэн ящыщщ ди лъэпкъ щэнхабзэм зезыгъэужьахэм. Псом хуэмыдэу, абы и гуащIэ ирихьэлIащ симфоние музыкэм цIыхубэр дегъэхьэхыным. Пэжщ, абы япи республикэм диIащ композитор цIэрыIуэхэр, Шейблер Трувор хуэдэхэр, ауэ ди лъэпкъым къыхэкIауэ ипэ итхэр Къардэн Хьэсэн, Балэ Мухьэдин сымэщ. Адрей композиторхэм я лэжьыгъэхэм къазэрыщхьэщыкI хэлъщ Къардэн Хьэсэн и IэдакъэщIэкIхэм. Абы и лэжьыгъэхэм IуэрыIуатэм щыщ Iыхьи иджырей зэманым и теплъи къыхощ. Поэмэ, увертюрэ, рапсодие, фантазие жанрхэрщ нэхъыбэу Хьэсэн зызыхуигъазэр. Я цIэ къиIуапхъэщ композиторым симфоние оркестрым папщIэ итха и IэдакъэщIэкI нэхъыщхьэхэм: «В родном краю» (1952 гъэ), «Вечер в ауле» (1959 гъэ), «Балкарские напевы» (1960 гъэ), «Танцевальная сюита» (1964 гъэ), «Долина счастья» (1965 гъэ), «Моя республика» (1971 гъэ), «Горские ритмы» (1977 гъэ) зыфIищахэм. Хьэсэн и зэчийр зыпэпщIын къэгъуэтыгъуейщ. Музыкэм и жанр псоми ар хуэIэкIуэлъакIуэщ. Ауэ, къызэрысщыхъумкIэ, абы и IэдакъэщIэкIхэм щыпашэр лирикэ уэрэдхэрщ. Псалъэм папщIэ, КIыщокъуэ Алим и псалъэ щIэлъу абы итха «Белая голубка» уэрэдыр зымыщIэ щыIэ?! Ар уэрэджыIакIуэхэм яфIэфIу ягъэзащIэ, уеблэмэ а уэрэдыр зэи жьы хъуну къыщIэкIынукъым. Хьэсэн цIыху гъэщIэгъуэнщ, псэлъэгъу хьэлэмэтщ. Абы хэлъщ шыIэныгъэри гушыIэри. Си дежкIэ ар цIыху угъурлыщ, композитор Iэзэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ мыри: КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм аращ я нэхъыжьыр. ИкIи ар пщIэ зыхуащIщ, фIыщIэ къэзылэжьащ. Къардэныр ящыщщ «классик» цIэр зыхуэфащэхэм. Сыхуейт макъамэ гъуазджэм зезыгъэужьа композиторым узыншагъэрэ дэрэжэгъуэрэ иIэу псэуну. Хьэсэн хуэдэхэр зырызщ, ар тщIэн хуейщ. КЪАРДЭН Юлие. Жьыщхьэ махуэ Сэ сызэригугъэмкIэ, мы псалъэхэр зыхуэфащэр гъащIэ кIыхь къэзыгъащIэркъым, атIэ Къардэн Хьэсэн хуэдэу, къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэм лъэужь дахэ къыхэзынэ, зи дуней тетыкIэ-лэжьэкIэр щапхъэ хъуахэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и макъамэ щэнхабзэр Къардэн Хьэсэн и цIэр хэмыту уи нэгу къыщIэгъэхьэгъуейщ. Япэ адыгэ оперэ «Мадинэр» (Балэ Мухьэдин и гъусэу), япэ адыгэ кантатэхэр зытхар Къардэн Хьэсэнщ. Макъамэм къыхуигъэщIа цIыхум и псэр, и дуней зэхэщIыкIыр итххэм купщIэ яхуохъу. Абы ехьэлIауэ гупсысэ щIэщыгъуэхэмкIэ гъэнщIащ ар зэлэжьа уэрэдхэр, романсхэр. ГъэщIэгъуэнракъэ, сыт хуэдэ псалъэм нэхъри нэхъ IупщIу, куууэ зыхыбощIэ мы композиторым и макъамэхэр. «Анэм и Iэхэр», «Ленэ дахэкIей» уэрэдхэр зыфIэмыфIрэ зымыщIэрэ щыIэкъым… ЗэрытщIэщи, Хьэсэн и адэ Екъуб гъукIэ Iэзэу щытащ. Абы ноби игу къегъэкIыж адэм и кIыщым зэман куэд щигъакIуэу зэрыщытар. Уадэмрэ гъущIхэмрэ я зэщIэжьыуэр, мафIэ жьэгум къыдих хъуаскIэхэр… Хэт ищIэрэ, ахэр арагъэнщ лъабжьэ хуэхъуар Хьэсэн макъамэм гу хуищIыным. Е и анэ Лъостэ деж къыщежьауэ пIэрэ — абы пшынэр IэкIуэу игъэбзэрабзэу щытащ. Хьэсэн и IэдакъэщIэкIхэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыдащ Хэку зауэшхуэм теухуа балладэхэм. «Гугъущ зауэ гъуэгуанэм утепсэлъыхьыжыну», — жеIэ езы Къардэным. Кавказым щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэми Украинэр, Белоруссиер, Польшэр, Чехословакиер хуит къэщIыжынми и псэ емыблэжу хэтащ ар. «Мир нужен всем» симфоние поэмэр, «На Марухском перевале» балладэр, «Гимнастерка», «Мне снится ночами дорога», «Помни, солдат» уэрэдхэр — псори Къардэным зытриухуар зауэ гъуэгуанэрщ, лъэпкъым и лIыхъужьыгъэрщ. Композитор Iэзэ къыпхэкIын щхьэкIэ а IэщIагъэм хэпщIыкIын къудейр мащIэщ, сыт щыгъуи уи къэухьым хэбгъахъуэу, макъамэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм я щэхухэр къыпхузэIухыу щытын хуейщ. Абыхэм хуэIэижьщ Хьэсэн. Уеблэмэ абыкIэ сэбэп къыхуэхъуауэ езым къелъытэ Малеготе цIэрыIуэм (иджы Балетымрэ оперэмкIэ Мусоргский М. П. и цIэр зезыхьэ театрщ) зэрыщылэжьар. Абы и спектаклхэм хэтат, дунейпсо оперэмрэ балет макъамэмрэ куууэ хишат. Ленинград къэрал консерваторэр къиуха иужь, япэ илъэсхэм Хьэсэн нэхъыбэу зэлэжьар уэрэдырщ. А уэрэдхэр цIэрыIуэ хъуати, цIыхубэ уэрэдыжьхэм щыхагъэгъуащи къэхъурт — аракъэ щэнхабзэм и лъагапIэ хъужри! Симфоние лэжьыгъэхэм Къардэным зыщритар 60 гъэхэрщ. ИлъэсипщIым къриубыдэу абы итха симфоние макъамэхэр лъапIэщ дэркIэ. АдыгэлIым нэхъ хуэфащэ хьэлхэр: цIыхур и щхьэ зэрырилъытыр, зэрыхьэлэлыр, зэрыщабэр Хьэсэн къобэкI… Ар дахэу, «хамэ Iуэху» жыхуаIэ бгъэдыхьэкIэр и гущхьи къэмыкIыу, чэнджэщкIэ хэти сэбэп хуохъу. Хьэсэн удэуэршэру ущыса къудейми, абы уи Iэпкълъэпкъыр зыгъэжан гуэр къыпхелъхьэ. Езыр цIыху дахэщ, гъэщIэгъуэнщ. Къардэным и фIыщIэ хэлъщ балъкъэрхэм я щэнхабзэр, гъуазджэр къэIэта зэрыхъуами. 1960 гъэм композиторым зэхилъхьащ «Балкарские напевы» симфоние фантазиер, «Горские ритмы» оркестрым папщIэ сюитэр, «Тегерек тепсеу» къафэр. Мы Iуэхум къегъэлъагъуэ Хьэсэн жэуаплыныгъэрэ гущIэгъурэ зыхэлъ цIыхухэм зэращыщыр. Абы и сыт хуэдэ лэжьыгъэри игурэ и псэрэ къыбгъэдэкIащ. Хьэсэн фIыуэ зылъагъу псоми къабгъэдэкIыу ди нэхъыжьым сехъуэхъунут и узыншагъэр мыкIуэщIу, и гуащIэм езыри дэри дыщыгуфIыкIыу илъэс куэдкIэ ди япэ итыну. АЩХЪУЭТ Беслъэн, профессор, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и проректор. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гимн Макъамэр Къардэн Хьэсэн, усэхэр Джэдгъэф Борис яйщ Ди лъахэ дахэ, ди Хэку дыгъэ, Псэм пэтщIу Къэбэрдей-Балъкъэр! Къуитащ уэ Тхьэшхуэм лъапIэныгъэ, УобжьыфIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр! Ежьу: ЕфIакIуэ, гъагъэ, ди щIыгу махуэ, Адэжь щIыналъэ, ди дуней! Насып дамыгъэщ Iуащхьэмахуэ, Ди Хэкужь уардэ, щIыхькIэ бей! Лъэпкъ зэныбжьэгъухэм инщ я гуащIэр, Адэжь уэсятхэр догъэпэж. Зэкъуэтыныгъэм еузэщI гъащIэр, Дэхъунщ псэукIэр нэхъ дахэж. Ежьу. Уэ уегъэлъэщыр мамырыгъэм, ДоIыгъ къуэшыгъэр Урысейм. И гъуазэ нуркъэ ар уи лIыгъэм, КъэкIуэну дахэ уи пщэдейм! Ежьу. Уи цIэр Мадинэ хьэмэ Маринэ Псалъэхэр зейр Гъубжокъуэ Лиуанщ Зи ныбжьэгъу пэжыр зыфIэкIуэдауэ, Сэ къуажи къали къызощ. Махуэл симыIэу укъызолъыхъуэ, Сыщыпхуэзэнур дапщэщ? Ежьу: Хэтхэ узипхъур, хэт узишыпхъур, Сэ си насып зыхэлъ. Уи цIэр Мадинэ хьэмэ Маринэ? Зэ закъуэ уэ къысхукъуэплъ. НэкIукIэ зэкIужрэ хьэлкIэ гущыкIыу Тетщ хъыджэбз Iэджи дунейм, Ахэм уащыщу укъыщIэкIыну, Си тIасэ, сэ сыхуэмей. Ежьу. Уэ укъэзгъуэтмэ, гъэмахуэ розэу Мы си гум зызэIуихынщ. ИгъащIэ псокIэ сыарэзыуэ Гум и IункIыбзэр уэстынщ. Ежьу. Уи гум сэр папщIэ илъу зы хъуаскIэ Уэ зыкъэзгъащIэ къудей, Сыарэзыщ сэ зэхэдублэнкIэ Ди хьэгъуэлIыгъуэр пщэдей. Ежьу. Ленэ дахэкIей Псалъэхэр зейр Бахъуэ БетIалщ Нарзан къабзэр зи Iуплъэгъуэ, Нэхущ вагъуэ шыр, Шэджэмыщхьэ и пщыхьэщхьэу, УсфIыхохьэ пкъым. ЩIэтщ си нэгум уи нэкIу дыгъэу Куэдрэ къысхуепсар. КъокI, къокI, къокI, Мэгъагъэ розэ жылэу Си гум щыхэпсар, Ленэ дахэкIей, Дахэ псом я лей, Ленэ дахэкIей. Уафэм уеплъмэ, сэ къысфIощIыр Пшэхэр зэкIэщIэкI, ПщэдджыжькIэ си лэгъунэм СщIыгъуу укъыщIэкI, Уэ си гъащIэм хуэхъуи гъусэ, Нэху щIы си дунейр, Уэрщ, уэрщ насып зыдэзгъуэтынур, Ленэ дахэкIей, Дахэ псом я лей. Пшагъуэр губгъуэм щыгъуэлъами, Си нэр сфIызэпхоплъ, Уи сурэтщ щыслъагъур дэни, Пшынэр зи плIэрыхь, ПщIыхьуэ сиIэр уэ сIыпхащи, Сэ сиIэжкъым жей, Уэ, уэ фи къуажэм уримазэщ, Ленэ дахэкIей, Дахэ псом я лей. Сыпхуэхъунущ гъатхэ мазэм Дыгъэ къуэмыхьэж, Зи дэкIуэгъуэм зэрихабзэу, Уи жьэгу пащхьэр хъуэж, КъызэпшэкIри уи нур уагъэр, Си пкъыр пщIащ мыхъей, Уэ, уэ сыхуэшэ насып лъагъуэм, Ленэ дахэкIей, Дахэ псом я лей.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25531.txt" }
Жанхъуэтекъуэ и цIыху лъапIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ Бахъсэн районым хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм дэсхэм пщIэшхуэ хуащI мы жылагъуэм зегъэужьыным зэфIэкIрэ къарурэ езыхьэлIэ я къуажэгъухэм. Ахэр гъэлъэпIэным хуэунэтIауэ къуажэ администрацэм Iуэхугъуэ пыухыкIахэр елэжь. Къапщтэмэ, иджыблагъэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и щIыпIэ администрацэм и унафэкIэ диIыгъащ жылагъуэ комиссэм къиIэта жэрдэмыр. Абы ипкъ иткIэ, «Жанхъуэтекъуэ къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр фIащащ КъБР-м и Парламентым РеспубликэмкIэ и Советым и УнафэщIу щыта, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэта, УФ-м и Къэрал Думэм и депутату, ДАХ-м и президенту щыта, иджыпсту КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбийрэ мы къуажэм щалъхуа, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, хьэрычэт лэжьакIуэ Къущхьэ Хьидрэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25541.txt" }
Нобэ 1990 гъэм Iэ традзащ Чехословакием советыдзэхэр къанэ щымыIэу къишыжыным теухуа зэгурыIуэныгъэм. Мазаем и 26 — 27-хэм Ставангер (Норвегие) щызэхэтынущ «Арктикэм и щIыдагъэмрэ и газымрэ» етIуанэ дунейпсо конференцыр. Мазаем и 26 — гъатхэпэм и 1-хэм Нью-Йорк щекIуэкIынущ ООН-м СтатистикэмкIэ и комиссэм и 44-нэ зэхуэсышхуэр. ТхакIуэ Щауэ Къалидар и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. Адыгэ сурэтыщI, IуэрыIуатэдж ГъукIэ Замудин и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2, жэщым 1 градус щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25543.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Гъэлъэгъуэныгъэм зыхуегъэхьэзыр Адыгей. Республикэм и Лъэпкъ музейм гъатхэпэм и 15-м Сочэ къыщызэIуихынущ «Адыгэхэм къадекIуэкI щэнхабзэ» гъэлъэгъуэныгъэр. Сочэ дэт художественнэ музейм щагъэлъэгъуэнущ экспонат 200-м щIигъу, абы дыщэхэкI хьэпшыпхэр, щыгъыныгъуэхэр, нэгъуэщIхэри хиубыдэу. Щхьэхуэу ягъэлъэгъуэнущ хьэщIэщым, адыгэ пщащэм и пэшым, пщэфIапIэм хуэщIа унэлъащIэхэр. Выставкэр къызэIуахынущ Адыгейм и ехъулIэныгъэхэмрэ и зыужьыныгъэмрэ ятеухуа IыхьэмкIэ. Республикэр нэхъыщхьэу зэлэжьхэр, абыхэм ехьэлIа дэфтэрхэр, сурэтхэр, видео материалхэр ягъэлъэгъуэнущ. ЩIалэгъуалэм яIуощIэ Адыгэ Республикэм Урысейм и Президентым и деж зэпымыууэ щиIэ и къулыкъу хэщIапIэм щIалэгъуалэм щаIущIащ КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м щIыхь зиIэ я артисткэ, уэрэджыIакIуэ Къэзан Сэтэней. Ар теухуауэ щытащ адыгэ лъэпкъым, къэралым къапэщыт къалэнхэр пхыгъэкIыным жыджэрагъ зыхэлъ щIалэгъуалэр къыхэшэным, мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхум щызэкъуэгъэувэным. Къэзан Сэтэней зэIущIэм кърихьэлIа актер, режиссер, уэрэджыIакIуэ, экономист, юрист, журналист ныбжьыщIэхэм и мурадхэр яхуиIуэтащ. Къэзаным къэралым и щыхьэрым зэрыщыпсэу илъэси 10-м зыхунэсахэр, и лъэпкъ хабзэм пщIэ хуищIу къызэрекIуэкIыр яжриIащ. Щэнхабзэ, егъэджэныгъэ, экологие унэтIыныгъищым телэжьэну фонд къызэрызэригъэпэщым, абы и япэ проектым ахэр щыгъуазэ ищIащ. Депутат ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэ Къэрэшей-Шэрджэс. ЩIыналъэ парламентым и унафэщIым къыхилъхьащ депутат ныбжьыщIэхэм я совет къызэрагъэпэщыну икIи а жэрдэмыр КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым диIыгъащ. Советыр къызэгъэпэщыным и мыхьэнэ нэхъыщхьэр зи щIалэгъуэ депутатхэр щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, муниципальнэ, щIыналъэ законодательствэр егъэфIэкIуэным, ар республикэм щыпхыгъэкIыным къыхэшэнырщ. Советым хагъэхьэнущ зи ныбжьыр илъэс 35-м щIимыгъу депутатхэр. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25545.txt" }
Спорт IуэхущIапIэхэр зэрылажьэр къапщытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн иджыблагъэ щыIащ махуэ къэс цIыхуи 150-м щIигъу бэнэкIэ хуитым зыщыхуагъасэ «Трудовые резервы» спорт комплексым. Абы щылажьэ ЗэкIуий Арсен и гъэсэнхэм яхэтщ зи ныбжьыр илъэси 7-м щегъэжьауэ илъэс 24-м щIигъухэр. ГъэсакIуэр хущIокъу дэтхэнэ спортсменми бгъэдэлъ зэфIэкIхэр нэсу къызэригъэсэбэпыным, и Iэзагъым зэрыхигъэхъуэным. Министрым игу ирихьащ гъэсакIуэм и лэжьэкIэр. Абы жиIащ щIалэгъуалэм я Iэзагъэм хагъэхъуэн папщIэ зыхуеину Iэмэпсымэхэр къызэгъэпэщынымкIэ, апхуэдэу нэхъ зэфIэкI зыбгъэдэлъхэр Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ «Озон» зыгъэпсэхупIэм Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и командэм зыщыщигъасэкIэ хэтынымкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхъунур. Гъэунэ Светланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25547.txt" }
Мыщхъуэжь Аминэ нэхъыфIхэм ящыщщ Красноярск къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм, УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмрэ сатумкIэ и министерствэм, УФ-м ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и министерствэм, апхуэдэу Красноярск крайм и Правительствэм я дэIэпыкъуныгъэкIэ къызэрагъэпэща экономикэ зэхыхьэшхуэр. Зэхуэсым хэтахэу Мыщхъуэжь Аминэрэ ВГТРК-м и лэжьакIуэ Брилёв Сергейрэ. Абы и пленар зэIущIэм щIэсащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Дворкович Аркадий, УФ-м Правительствэ зэIухам и IуэхухэмкIэ и министр Абызов Михаил, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Сыбыр федеральнэ округым щыIэ Толоконский Владимир, Красноярск крайм и губернатор Кузнецов Лев сымэ. Мы зэIущIэшхуэм хиубыдэу къызэрагъэпэщащ «ЩIэблэ-2020» щIалэгъуалэ зэхыхьэр. Абы хэтын папщIэ Урысейм и къалэу 120-м щIигъум ирагъэхауэ заявкэ 1200-м нэблагъэм хэплъащ икIи IэщIагъэлI ныбжьыщIэ нэхъыфI дыдэу 115-рэ къыхахащ. Абыхэм яхэхуащ КъБР-м и ЩIалэгъуалэ правительствэм финансхэмкIэ и министр Мыщхъуэжь Аминэ. «Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэмрэ зыужьыныгъэр унэтIынымрэ» зэхыхьэм кърихьэлIа IэщIагъэлIхэмрэ экспертхэмрэ къыхагъэщхьэхукIащ Мыщхъуэжь Аминэ и лэжьыгъэр ягу зэрырихьар. Апхуэдэу властыр зэIухауэ зэрылажьэм теухуауэ Аминэ мы зэхуэсышхуэм къыщипсэлъахэм щыщ Iыхьэхэр хэхуащ етIуанэ махуэм УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий и пащхьэ иралъхьа лэжьыгъэхэм. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25550.txt" }
Матвиенкэ Валентинэ КъБР-м и Iэтащхьэм къохъуэхъу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къыщалъхуа махуэмкIэ къехъуэхъуащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэ. Абы къигъэхьа телеграммэм итщ: «Си гуапэу сынохъуэхъу укъыщалъхуа махуэмкIэ. Уэ къэкIуэнур зи плъапIэ, зэфIэкI зыбгъэдэлъ, республикэм и гугъуехьхэр нэгъэсауэ къызыгурыIуэ, щIыналъэм зегъэужьыным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, жылагъуэр зэкъуэгъэувэным къарууэ иIэ псори езыхьэлIэ унафэщIу зыкъэбгъэлъэгъуащ. Шэч къытесхьэркъым уи егугъуныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм адэкIи зегъэужьынымкIэ, хабзэфIхэр хъумэнымкIэ, урысей къэралыгъуэр гъэбыдэнымкIэ сэбэп зэрыхъунум. Узыншагъэ быдэ уиIэну, уи Iуэхухэр ефIэкIуэну, уи мурад псори къохъулIэну, фIыгъуэу щыIэр къоуэлIэну си гуапэщ. Уэри уи Iыхьлыхэмрэ уи благъэхэмри мамырыгъэрэ насыпрэ фиIэну сынывохъуэхъу». КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25553.txt" }
Куржым и лIыкIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Мусуков Алий сымэ Правительствэм и Унэм щаIущIащ «Мамырыгъэмрэ зэдэлэжьэныгъэмрэ теухуа куржы-урысей зэпсэлъэныгъэ» проектым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуа куржы эксперт гупым. ЗэIущIэр къыщызэIуихым Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къыхигъэщхьэхукIащ: «Дэ ижь-ижьыж лъандэрэ куржы лъэпкъым пыщIэныгъэ тэмэмхэр худиIэщ. Иджырей ди зэхуэзэм фIы кърикIуэну, ди зэпыщIэныгъэхэм нэхъри заубгъуну, ахэр экономикэ зэдэлэжьэныгъэм хуэкIуэну дыщогугъ». «Кавказым щызэдэлэжьэныр» IуэхущIапIэм и унафэщI, дунейпсо зэхущытыкIэхэмкIэ къэрал институту Москва дэтым Кавказыр джынымкIэ и центрым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Силаев Николай жиIащ Урысейми Куржыми исхэр Кавказым мамырыгъэр щыгъэбыдэным, абы зегъэужьыным я гур зэрыхуэунэтIар, «Кавказ къуршым и лъэныкъуитIымкIэ щыпсэухэр нэсу зэрызэпымыщIар къазэрыгурыIуэр». Евразие институтым и лэжьакIуэ Апхаидзе Шота жиIащ Кавказ Ищхъэрэм щыщыIэ щытыкIэмрэ абы и псэукIэмрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къызэрагъэлъагъуэм хуэдэу зэрыщымытыр къызэрыгурыIуар. Абы къызэрилъытэмкIэ, цIыхухэр зэкIэлъыкIуэху нэхъ зэрыцIыхунущ. ХьэщIэм къыхигъэщхьэхукIащ Урысеймрэ Куржымрэ я зэхущытыкIэхэр фIэкIыпIэ имыIэу тэмэм зэрыхъужынур. Апхуэдэу Апхаидзе Шота къыщIигъуащ КъБР-м хуаIэу щыта пыщIэныгъэхэр зэтеувэжыну куржыхэр зэрыщыгугъыр. «Зэрыщыту Кавказ Ищхъэрэр къапщтэмэ, фи щIыпIэр сату-экономикэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ нэгъэсауэ къозэгъ», — къыхигъэщхьэхукIащ абы. Экономикэ IуэхухэмкIэ эксперт Гиорхелидзе Демур къызэрилъытэмкIэ, урысей-куржы зэпыщIэныгъэхэр зэтегъэувэжыным цIыхухэр нэхъ жыджэру хэтыпхъэщ, «апхуэдэу абхъазхэмрэ ипщэ осетинхэмрэ зэIухауэ епсэлъэн хуейщ». Абы зэрыжиIамкIэ, транспорт инфраструктурэр зэтегъэувэжынми икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, «сыту жыпIэмэ, ар щэнхабзэ, турист зэпыщIэныгъэхэр зэфIэгъэувэжыным ухуэзышэ гъуэгу нэхъ кIэщI дыдэщ». «Нобэрей зэIущIэр дэ къыдолъытэ ди лъэпкъхэм яку дэлъа зэныбжьэгъугъэр зэфIэгъэувэжыным и дамыгъэу», — жиIащ зэIущIэм и кIэухым КъБР-м и Правительствэм и вице-премьер Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. Правительствэм и Унэм щекIуэкIа псалъэмакъым и ужькIэ Куржым и лIыкIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэм яхуэзащ. ИужькIэ ахэр КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэтхэм, дин лэжьакIуэхэм епсэлъащ, республикэм щылажьэ лъэпкъ-щэнхабзэ центр щхьэхуэхэм щыIащ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25555.txt" }
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Журналистхэм я союзым, КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым, «Кабардино-Балкарская правда», «Адыгэ псалъэ», «Заман», «Советская молодежь», «Горянка» газетхэм, «Литературная Кабардино-Балкария», «Iуащхьэмахуэ», «Минги-Тау», «Нур», «Нюр», «Солнышко» журналхэм я редакцэхэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК» телекомпанием, «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телерадиокомпанием, «Налшык» жылагъуэ радиотелекомпанием я лэжьакIуэхэр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм тхылъхэр урысыбзэкIэ къыдэгъэкIынымкIэ и къудамэм и унафэщI Куэшбей Жамболэт хуогузавэ абы и адэ Куэшбей Пщымахуэ Къербэч и къуэр, Адыгей Республикэм и цIыхубэ тхакIуэр, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэр, зэрылIам къыхэкIыу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25562.txt" }
ГъэшхэкIхэм фахуэсакъ ГъэшхэкI ерыскъыхэр узыншагъэмкIэ сэбэпышхуэу зэрыщытым и хъыбар дэтхэнэ зыми и сабиигъуэм щегъэжьауэ зэхихащ. Шэджагъуэ нэужьхэм и деж шху гъэпцIагъащIэ зы стэкан уефэныр сыт и уасэ — ерыскъыр гъэткIунымкIи, фэр дахэу щытынымкIи, Iэпкълъэпкъыр узыфэхэм пэщIэтынымкIи ар икъукIэ сэбэпщ. АрщхьэкIэ, иджыпсту куэдрэ зэхыдох гъэшхэкI лIэужьыгъуэ куэдым къэуат ящIэмылъу жаIэу. Ар къызыхэкIыр тыкуэным щIэлъ а ерыскъыгъуэхэм бифидобактериекIэ зэджэр зэрыхэмылъырщ. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр тэмэму лэжьэн щхьэкIэ бифидобактерием хуэныкъуэщ. Медицинэ псалъалъэм зэритымкIэ, бифидобактериер – ар узыфэ зэрыцIалэхэм япэщIэту цIыхум и кIэтIийр хэщIапIэ зыхуэхъу микроорганизмщ. Бифидобактериер пхуримыкъумэ, уи кIэтIийр тэмэму лэжьэнукъым: ерыскъыр тэмэму пхуэмыгъэткIуу хъумэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ витаминхэр къыIэрымыхьэмэ, абы узыфэ зэхуэмыдэ куэд къигъэхъеинущ. Бифидобактериехэр куэдрэ щылъкъым — я щхьэр гъэбыдауэ щIыIалъэм мазитI нэхъыбэ щыпхуэхъумэнукъым. Абы къыхэкIыу ахэр тыкуэнхэм щащэнкIэ хъунукъым. Иджыпсту тыкуэнхэм щIэлъыр къызэрыгуэкI шхухэмрэ йогуртхэмрэщ. Пэжщ, ахэри кIэтIийм ерыскъыр зигъэткIунымкIи сэбэпщ. Ауэ ар зи фIыщIэр бифидобактериехэракъым, атIэ нэгъуэщI ерыскъыгъуэхэми (псалъэм папщIэ, къэбыстэ фIэIум, анэ быдзышэм) куэду узыщрихьэлIэ лактобактериехэрщ. Бифидобактериехэм хуэдэу, лактобактериехэми я зэхэлъыкIэм мымащIэу ущрохьэлIэ пробиотикхэм. Пробиотикхэр — микроорганизмщ, ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ди узыншагъэмкIэ ахэр сэбэпышхуэщ. Псалъэм папщIэ, Iэпкълъэпкъыр узыфэхэм пэщIэтынымкIэ, цIыхум и дежкIэ зэраныгъэшхуэ зиIэ бактериехэр кIэтIийм къыщызэтемыувыIэнымкIэ, фэр дахэу щытынымкIэ, псантхуэ узыфэхэр къэмыгъэхъеинымкIэ. Лактобактерием и препаратхэр лъатэ, кIэтIий узыфэхэр гъэхъужынымкIи къагъэсэбэп, апхуэдэу къахутащ лъыдэуей зиIэхэм я дежкIэ ар зэрыщхьэпэр. Тыкуэнхэм щIэлъ йогуртхэм цIыху Iэпкълъэпкъым дежкIэ сэбэпынагъ лъэпкъ зимыIэ, ерыскъым IэфIагъ, мэ дахэ къезыгъащтэ пкъыгъуэ куэд халъхьэ. Абы къыхэкIыуи, ахэр щIэх-щIэхыурэ уи шхыныгъуэм хыумыгъэхьэмэ нэхъыфIщ. Верлановэ Ольгэ, Россельхознадзорым и Къэбэрдей-Балъкъэр референт центрым и къудамэм и дохутыр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25563.txt" }
Кипрым и ужькIэ — Тыркум Кипрым къызэрикIыжрэ махуэ зытIущ нэхъ дэмыкIыу «Спартак-Налшыкым» и футболистхэр Тыркум кIуащ абы зыщагъэсэну. ИтIанэ Налшык къамыгъэзэжу, адэкIэ Новосибирск лъэтэнущ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, Новокузнецк и «Металлург-Кузбасс»-м гъатхэпэм и 11-м щыIущIэну. Ежьэн и пэ дэ зыхуэдгъэзащ «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ ШЫПШ Тимур: — Тимур, Кипрым щекIуэкIа Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокым ехьэлIа зэхьэзэхуэм еплIанэ увыпIэр къыщыфхьащ. Абы арэзы фыкъищIа? — Дэ къалэн къытщащIатэкъым Iэмал имыIэу увыпIэфI а зэхьэзэхуэм щыдубыдыну. АрщхьэкIэ дыхуеят нэхъ лъагэIуэу дыдэкIуэтеину. Судьяхэм я зэран къызэрыдэкIар жысIэнкъым — ди Iуэхухэр щIэмыхъуамкIэ псом япэу къуаншэр дэращ. Ди хьэрхуэрэгъухэм нэхърэ сыт щыгъуи куэдкIэ нэхъыфIу дыджэгун, топитI-щыкIэ нэхъыбэ яхудэдгъэкIын хуейщ ехъулIэныгъэ диIэн папщIэ. Аращ дызыхущIэкъунури. ЗэкIэ топу дэдгъэкIыфыр мащIэ дыдэщ икIи ар япэу дызэлэжьыпхъэхэм ящыщщ. Кипрым зыдгъасэу дызэрыщыIам фIыуэ къытхуихьам я гугъу пщIымэ, щIалэхэр джэгупIэ губгъуэм нэхъ щызэгурыIуэ хъуащ. МыIейуэ зыкъагъэлъэгъуащ зыхэдгъэхьагъащIэхэми. Зэрыщыту къапщтэмэ, едгъэкIуэкIа лэжьыгъэм арэзы сыкъищIащ. Зэман кIэщIым къриубыдэу Футбол Лъэпкъ Лигэм хыхьэ зэхьэзэхуэр щыщу зэIущIиплI едгъэкIуэкIа пэтми, джэгупIэ губгъуэм къизгъэхьахэр щIагъуэу схъуэжакъым — сыхуеящ ахэр нэхъ зэгурыIуэн папщIэ Iэмал естыну. — Абы къикIрэ япэ дивизионым щаублэж зэхьэзэхуэм хэтынухэр уи дежкIэ наIуэу? — НобэкIэ дэнэ щIыпIэкIи щыдгъэджэгунухэр къыхэтхынымкIэ дызыхэIэбэн диIэщ. Дызыхуеяр арати, къыдэхъулIащ. — Захирович Минск и «Динамо»-м бэджэнду зэрефтам ди джэгукIэр къигъэтIэсхъэнукъэ? — Захирович и пIэкIэ Руа Карлос къэтщтащ. Ар ебгъэрыкIуэныгъэм нэхъ хуеIэ гъуащхьэхъумэныкъуэщ. Япэ дивизионым иджыпсту щытIыгъ увыпIэм тепщIыхьмэ, дэ ебгъэрыкIуэныгъэм нэхъ тедгъащIэу щытын хуейщ. Аращ зыхъумэжыныгъэм нэхъ ета Захирович дутIыпщу Руа къыщIэтщтар. — Медведевым и деж щиуха «Спартак-Налшыкым» зэкIэ хэвгъэхьэнухэр? — Иджыри зы къытхыхьэжынкIэ хъунщ. — ЗыхэвгъэкIыжа щыIэ? — Мырзэ Резуан Кострома и «Спартак»-м макIуэ. — Тыркум зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэри щевгъэкIуэкIыну? — Iэмал имыIэу. Мазаем и 28-м командитIым зэуэ (шэджагъуэмрэ пщыхьэщхьэмрэ) даIущIэнущ. ИужькIэ иджыри зэ дыджэгуну ди мурадщ. Зыгъэхьэзырар Хьэтау Ислъамщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25565.txt" }
Гукъыдэж, дэрэжэгъуэ я куэду Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, «Къэббалъкътхылъ» социальнэ-щэнхабзэ центрым иригъэблэгъащ къыдэкIуэтей щIэблэм лъахэр яхуэзыхъума, мамырыгъэ къахуэзыхьа, къэкIуэнур зей щIалэгъуалэр хэкупсэу къэтэджынымкIэ щапхъэ ветеранхэр. Сэхъурокъуэ Хьэутий ветеранхэм махуэшхуэмкIэ йохъуэхъу. Зи щхьэцыр дыжьыныфэ нэхъыжьхэм къапежьащ махуэшхуэ зэхыхьэм и къызэгъэпэщакIуэхэу ЦIыхубзхэм я Налшык къалэ советым и унафэщI Дыджэш Лидэ, КъБР-м и пенсионерхэм я республикэ, Налшык къалэ советхэм я лIыкIуэхэр, «Къэббалъкътхылъ» ОАО-м и унафэщI Джатэжь Розэ сымэ. Iэнэ берычэтым ирагъэтIысэкIа хьэщIэ лъапIэхэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ, махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуахэщ КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Аминат, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, зэхыхьэм и къызэгъэпэщакIуэхэр. — Ди нэхъыжьхэм сыт щыгъуи срогушхуэ. Фэ къэфкIуащ пщIэрэ щIыхькIэ гъэнщIа гъащIэ гъэщIэгъуэн. ЩIэблэм папщIэ фэ зэфIэфхащ Iуэхушхуэ, дэркIи щIалэгъуалэм я дежкIи фэ фыщапхъэщ, ди щхьэр зыхуэдгъэщхъщ, — къыхигъэщащ Уянаевэм. Дызэрыт лъэхъэнэм, зэманым и гугъуехьхэм, нэхъыжьхэм щIэблэм къыхуагъэна хабзэхэр хъумэн зэрыхуейм къытеувыIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — мамыру упсэуну, улэжьэну, ипэкIэ укIуэтэну IэмалыфIхэр щыщыIэ ди зэманым, ди жагъуэ зэрыхъущи, Iэщэ къэзыщтэхэри мащIэкъым. КъэкIуэнум, мамырыгъэм папщIэ Хэкум и хъумакIуэхэр я къарурэ я гъащIэрэ емыблэжу хэтащ илъэс бжыгъэкIэ екIуэкIа зауэшхуэм. Иджырей щIалэгъуалэр гъэсэным хуэфащэ гулъытэ щыхуамыщI щыIэщ. Ветеранхэм я Iущыгъэр ди тегъэщIапIэу, абы и лъэныкъуэкIэ дызэлэжьын диIэщ. Фэ къэфкIуа гъащIэ гъуэгуанэр лIыгъэрэ хахуагъэкIэ гъэнщIащ. МахуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу, узыншагъэ, дэрэжэгъуэ фиIэу куэдрэ Тхьэм фытхуигъэпсэу, — захуигъэзащ нэхъыжьыфIхэм Сэхъурокъуэм. Апхуэдэуи ахэр къигъэгугъащ дунейм и дахэгъуэ, щIэрэщIэгъуэ зэманым ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм пхрыж Налшыкыпс и Iуфэм щызэхуишэсыну. Махуэшхуэ зэхыхьэр щIэщыгъуэу, гъэщIэгъуэну екIуэкIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм я гушыIэм, уэрэдхэм ветеранхэм я гукъыдэжыр къиIэтырт, щIалафэ къатригъауэу. Утыкум къыщыфэрт, уэрэд щыжаIэрт я щIалэгъуэр ягу къагъэкIыжу. ИпэжыпIэкIэ сабийм хуэдэу ахэр щыгуфIыкIащ «езыхэр хэтми къыщыгъэлъэгъуа дэфтэр» цIыкIу къыхэхыным. Ар къызэкIуэцIахмэ, хэт Гераклт, хэт мушкетерт, яхэтт Ремби, хэти псом нэхърэ нэхъ дахэт… Къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къиIэтащ, махуэшхуэр нэхъри гуапэ ящищIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ. Абы игъэзэщIа уэрэдхэм ветеранхэр дежьууащ, Iэгуауэ хуаIэтащ. Гунэс ящыхъуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм и гъэсэн Къардэн Астемыр игъэзэщIа «Урысейм къулыкъу хузощIэ» уэрэдыр. Ветеранхэу жылагъуэ зэгухьэныгъэм и советым хэт КъуэщIысокъуэ Мурид, Щомахуэ Мухьэмэд щIэныгъэлI КъуэщIысокъуэ Александр сымэ фIыщIэ хуащIащ я гукъыдэжыр къэзыIэта, дэрэжэгъуэ къахэзылъхьа пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэм. Зэрызэхуэзам, зэрызэрылъэгъуам къызэщIиIэтауэ, гуапагъэкIэ я гумрэ я псэмрэ гъэнщIауэ, къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкI махуэшхуэ тыгъэхэри яIыгъыу ахэр зэбгрыкIыжащ. УЭРДОКЪУЭ Женя. Сурэтыр Холлаевэ Марзият трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25568.txt" }
Ислъамым и нур Уаз ЗыкъыфIэщIыжыныгъэм лъагъумыхъуныгъэ къешэ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа бегъымбар лъапIэм и хьэдисхэм ящыщ зым дыкъыщоджэ: «Дэ дымуслъымэнщи, адрейхэм нэхърэ дынэхъыфIщ жытIэу абы цIыхухэр зэи къыхуедджэркъым, зыкъытфIэщIыжуи нэгъуэщIхэм зауэ етщIылIэркъым». Зы лъэпкъым адрейм нэхърэ нэхъ зигъэиныныр, зигъэнэхъыфIыныр гуэныхьышхуэ зыпылъ, нэщхъеягъуэ ин къызэрыкIуэнкIэ хъуну къелъытэ ислъам диным. Зэгуэрым Мухьэммэд бегъымбарым зыхуагъэзат: «Уи щхьэр нэхъ лъапIэу плъагъужыным, зыкъыпфIэщIыжыным къишэнкIэ хъунур сыт?» — жаIэри. «Ар Iуэху Iейщ, — къитыжащ жэуап бегъымбарым. — Абы кърикIуэнкIэ хъунур зэмызэгъыныгъэщ, лъагъумыхъуныгъэщ, зауэщ». Алыхьым и нэфIыр зыщыхуам и псалъэхэм щIагъэбыдэ КъурIэным къыщыкIуа мы Iэятри: «Ей, Алыхьыр зи фIэщ хъуахэ! ЗыкъыффIэмыщIыжу, шыIэныгъэрэ пэжыгъэрэ фхэлъу Алыхьталэм, фи адэ-анэм, къывдалъхуахэм фахущыт» («Iэн-Нисакъ» сурэ, 135-нэ Iэят). ЦIыхум пэжыгъэкIэ убгъэдэмытыныр гуэныхьышхуэщ. Абы къыхэкIыу ислъам диным псори къыхуреджэ фIыуэ зэрылъагъуну, зэрылъытэну, зэныбжьэгъуну, пщIэ зэхуащIыну. Мухьэммэд бегъымбарым жиIащ: «Дунейм цIыхуу тетыр Iэдэм и бынщ, Алыхьым езы Iэдэм ятIэм къыхигъэщIыкIащ». Псори зым къызэрытекIыжарщ, зы къежьапIэ зэраIэрщ ислъам диным муслъымэнхэм зэхэгъэж ящIу щIимыдэр. Я теплъэм, къызыхэкIа лъэпкъым елъытауэ цIыхум хуэмыфащэ, гуемыIу псалъэ иупэсыныр, адрейхэм захэпIэтыкIыурэ: «Сэ мыпхуэдэ лъэпкъым сыкъыхэкIащ, адэ-анэ къулейм, зэфIэкI зиIэм сыкъалъхуащ, уэ сытым уримыхьэнэ — утхьэмыщкIэщ», — жыпIэу нэгъуэщIыр бгъэикIэныр Къытщхьэщытым имыгъэдэха Iуэху икIэщ. «ЦIыхухэр зэхэгъэж зыщIым Алыхьталэр къыхуэгубжьынщ», — итщ бегъымбарым и хьэдисхэм ящыщ зым. ДыкъэзыгъэщIам псори елъагъу, ещIэ. Абы цIыхур зыхуэдэр игъэунэхун папщIэ мылъку лей, къулыкъу лъагэ щрит щыIэщ. Тхьэ Иныр псоми я къэгъэщIакIуэу щыщыткIэ, аращ зэзыгъэзэхуэжынур дэтхэнэми и Iуэхур. Къулей-къулейсызкIэ, къызыхэкIа лъэпкъкIэ, къэзылъхуакIэ цIыхур зэхэгъэж щIыным гуэныхьышхуэ зэрыпылъым хуэдэу, Алыхьым и деж нэмысынщ динкIэ зэхэгъэжрэ зэныкъуэкъурэ къэбгъэхъуныр. «Сэ сымуслъымэнщи, си диныр нэхъыфIщ, уэ уджаурщи, ууейр нэхъыкIэщ жызыIэр жыхьэнмэ гъэсын хъунщ», — деущий Мухьэммэд бегъымбарым. Нобэ зи гугъу тщIа псори и щыхьэтщ ислъамыр гущIэгъу, зэхуэгъэдэныгъэ зыхэлъ дин къабзэу зэрыщытым. Дэ къытхуатх Iимам щыпкъэ Аргудан къуажэм щыпсэухэм я тхыгъэ гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. И лэжьыгъэфIым къыхэкIыу абыхэм фIыщIэ хуащI я Iимам Иуаз Рустам. — Рустам цIыху псэ къабзэщ, хьэлэлщ икIи укъэзыгъэпэжынщ, — къатх аргудандэсхэм. — Мэжджытым екIуалIэ къуажэдэсхэр мы щIалэм хуабжьу дыхуэарэзыщ. Иуаз Рустам иджыри пасэу, курыт школым щыщIэса зэманым, диным дихьэхащ. АбыкIэ гъуазэ хуэхъуар КъурIэным еджэ, нэмэз зыщI, муслъымэным и адрей фарзхэри зыгъэзащIэ и анэшхуэрщ. Диным нэхъыфIу зыхигъэгъуэзэну мурад щищIым, Аргудан къуажэм дэс ХъутIэжь-Хьэжы Розэ ар алыфбейм хуригъэджащ. ИужькIэ, зи адэ къуэшыр Сирием щыпсэу Молэмусэ Хьэбарэ къыдэIэпыкъури, Дамаск еджакIуэ игъэкIуащ. А къалэм и Ислъам университетым илъэсищкIэ щеджэщ, и щIэныгъэм хигъахъуэри, къигъэзэжащ. Нобэр къыздэсым Рустам игу ихужыркъым Сирием ис муслъымэнхэм я дин зехьэкIэр, сабийхэр щыцIыкIум щегъэжьауэ абы зэрыщIапIыкIыр, а щIыпIэр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм хабзэмрэ лъэпкъ Iуэхухэмрэ зэрызэрагъакIуэр. Иуазым диным фIыуэ хещIыкI. Абы и щапхъэщ КъурIэн еджэхэмрэ муслъымэныгъэм хэзыщIыкIхэмрэ я зэпеуэ Налшык щыIэ Ислъам институтым нэгъабэ къыщызэрагъэпэщам япэ увыпIэр къызэрыщыхуагъэфэщар. Рустам и унагъуэми диныр и Iэпэгъущ. И анэшхуэ Лолэ, и анэ Рае, и щхьэгъусэ Ланэ сымэ дэтхэнэри КъурIэн йоджэ, муслъымэныгъэм тетщ. Абы и бынхэри зыщIипIыкIыр аращ, Тхьэм фIы къахудигъакIуэ! — Нэхъыжьхэм къыщытхуихуэ щыIэщ нэмэз щIыгъуэр щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ щытIэщIэгъупщыкI, — къыпащэ адэкIэ я тхыгъэм къуажэдэсхэм. — Апхуэдэхэм и деж хуабжьу сэбэп къытхуохъу Иуаз Рустам и чэзум фIимыгъэкIыу азэн къызэрыджэр. Абы и макъ гъэхуамкIэ икIи жьгъырумкIэ ди фарзыр щыдгъэзэщIэн хуейм и пIалъэр къыдегъэщIэж. Ди гуапэщ и щIэныгъэм дяпэкIи хигъэхъуэну, и IэщIагъэм и хъер илъагъуну! ФIыщIэ ин яхудощI ар къызыхэкIа лъэпкъми унагъуэми. Иуазым хуэдэхэращ муслъымэн диным и пщIэ лъагэр адэкIи зыIэтыфынур, щIэблэм ар тэмэму яхэзыпщэфынур. Алыхьым псэ хьэлэлу хуэлажьэ Бэлагъы Шоукъи Адыгэ лъэпкъыр гузэвэгъуэшхуэ къылъэIэсу Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэмрэ абы къыпызыща ИстамбылакIуэмрэ я зэранкIэ щхьэхуимыту Хэкум щрахуам, Сирием щхьэегъэзыпIэ щызыгъуэту ар псэупIэ зыхуэхъуахэм ящыщ зыт Къармэхьэблэ къуажэм щыпсэуа Бэлагъы Мусэбий. И гур гуауэм ирихарэ, и нитIыр нэпсым щIилъэсыкIауэ, и ныбэ нэщIым и Iэр телъу хамэ щIыпIэм къыщыщыхутам, абы сыткIэ ищIэнт, иужькIэ щIэблэ щIэныгъэлI цIэрыIуэкIэ Алыхьыр къызэрыхуэупсэнур, къызыхэкIа лъэпкъым абыкIэ и сэбэп иригъэкIыу, и адэжьхэр зрахуа и Хэкум къилъхуам къилъхужам къигъэзэжыну! Нобэ зи гугъу фхуэсщIыну сызыхуейр Мусэбий и къуэм и къуэ Бэлагъы Шоукъищ. Шоукъи Сирием къыщалъхуащ. Школыр къиухри, Дамаск дэт Ислъам институтым илъэсиблкIэ щеджащ. Абы и ужькIэ, университетым щIэтIысхьэри, хьэрыпыбзэр куууэ иджащ. И щIэныгъэм хигъэхъуэныр Шоукъи абдежми щигъэувыIакъым. Дамаск дэт къэрал еджапIэ нэхъыщхьэм «гъэсэныгъэмкIэ» и факультетри къыщиухащ. Апхуэдиз щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэ зыбгъэдэлъ Шоукъи и Iуэхухэр фIыуэ зэтеуващ. Дамаск судым илъэси 10-кIэ щылэжьащ, абы и ужькIэ илъэс 35-м щIигъукIэ хьэрыпыбзэм хуригъэджащ хьэрыпхэри нэгъуэщI къэралхэм къикIахэри. И унагъуэри узэхъуэпсэну зэтеуващ. Шоукъи щхьэгъусэ хуэхъуащ Дыгъужьхэ япхъу Инхьам бзылъхугъэ Iэдэб гу щабэр. Абыхэм бынитху къалъхуащ икIи IэщIагъэ хъарзынэ псоми ирагъэгъуэтащ. Я къуэ Икъбал КъБКъУ-р къиухауэ Мэзкуу и телевиденэм щолажьэ. Япхъу Сумея Дамаск дэт къэрал университетым математикэм куууэ щыхуе-джащ, абы къэнэжауэ щолажьэ икIи щопсэу, адыгэ унагъуэ исщ. Япхъу етIуанэ АсмаI инджылызыбзэм хуэIэзэщи, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я къалащхьэ Дубай иджыпсту щолажьэ, щопсэу. Япхъу нэхъыщIэ Сарэ ще-джар Налшыкщ. Ар дзэ дохутыр гъуэзэджэщ, унагъуэ хъуауэ мыбы щопсэу. Газетеджэхэм нобэ фи пащхьэ ислъхьэну си гуапэщ муслъымэныгъэмрэ адыгагъэмрэ щытепщэ унагъуэм ядэслъэгъуауэ сызыщыгъуазэ Iуэхугъуэхэм ящыщ гуэрхэр. Дуней псом щыцIэрыIуэ дин еджагъэшхуэ Джаудэт (Цей) Сэхьид и ныбжьэгъу икIи и акъылэгъу Бэлагъы Шоукъи, Алыхьым папщIэ илэжьа псапэхэм утепсэлъыхьыну зэрыфIэмыфIым къыхэкIкIэ, абы фIыуэ дэслъэгъуа псори фи пащхьэ нислъхьэфынкъым. Шоукъи жеIэ: «Уи зы Iэм IэщIэкIа псапэр адрей уи Iэм ищIэ хъунукъым — ар Алыхьращ лэжьын щIыхуейр». Мис апхуэдэ IиманкIэ зи гур гъэбыда цIыхущ Бэлагъыр. Дин щIэныгъэ зэдгъэгъуэтыну Сирием дыщыкIуэм, Шоукъи и псэр зэуэ тхузэIуихащ икIи и къарум емыблэжу дэтхэнэ зыми еджапIэм дыщIэзэгъэнымкIи псэупIэ зэдгъэпэщынымкIи дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ. АрщхьэкIэ дин щIэныгъэ къэзылъыхъуэу Кавказым исыр куэдт, къэралым икIыфар мащIэ дыдэт. Абы къыхэкIыу Шоукъи жэуаплыныгъэ ин къыщытехуэ Iуэхугъуэшхуэ и пщэ дилъхьэжащ — адэжь Хэкум къигъэзэжу муслъымэныгъэр цIыхубэм ябгъэдэлъхьэжынымкIэ сэбэп хъуну мурад ищIащ. 1991 гъэм ар Налшык къэкIуащ, и щхьэгъусэри и бынхэри Сирием къигъанэри. И унагъуэр гъусэ ищIакъым зэрыекIуэлIапIэншэм къыхэкIыу. Къэбэрдейм къыщигъэзэжам Шоукъи гугъуехь куэдым IущIащ, ауэ языхэзми къригъэкIуэтакъым. Гугъуехь псори и псэм дигъахуэурэ и щIэныгъэр цIыхубэм зэрабгъэдилъхьэным хущIэкъуащ, нобэр къыздэсми а IэнатIэ мытыншым пэрытщ. Гугъуехь псом я щхьэт щыпсэунрэ сабийхэр щригъэджэнрэ зэримыIэр. НэхъапэIуэкIэ Сирием къикIыжа Къанкъуэщ Абдул-Уэхьэб иригъэблагъэри, абы и унэм щIэсащ. ИужькIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм лъэIукIэ защыхуигъазэм, общежитым щыщу пэш цIыкIу къратащ. Абдежым щыщIидзащ ислъам диным цIыхухэр хуегъэджэным. АрщхьэкIэ пэшхэр цIыкIут, еджакIуэхэр куэд хъурти, щIэхуэртэкъым. 1993 гъэм и щхьэгъусэ Инхьамрэ илъэсиблым ит и щIалэ гъэфIэн цIыкIумрэ Шоукъи и деж Налшык къэкIуащ. АрщхьэкIэ гуфIэгъуэр кIэщI дыдэт. Щыпсэу общежитыр жьыт, щIэт унэлъащIэхэри кхъахэт. я пэшым щIэт шифонерыжьыр зы махуэ гуэрым къэджалэри, джэгуу утыкум ит я сабий цIыкIур щIипIытIащ. А гуауэшхуэм зэщхьэгъуситIым я гур зэщIикъузат. АрщхьэкIэ зызэщIакъуэжу Сирием ягъэзэжакъым, атIэ адэкIи Алыхьым псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьэным пащащ. Абыхэм жаIащ: «Сабийр къыдэзытам тIихыжащ, ауэ къытхуигъэфэща акъылыр къыщытхуигъэнакIэ, дыпсэуху Алыхьым дыхуэлэжьэнущ». А ябгъэдэлъ Iиманым къыхэкIкIэ, шыIэныгъэшхуэ яхэлъу, адэкIи муслъымэн еджапIэм зэрызрагъэужьыным иужь ихьахэщ. УнафэщIхэм захуигъазэу Шоукъи щелъэIум, Къэбэрдей уэрамым тет сабий саду щыта унэр къратащ. Ар екIуу зэрахьащ, щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ щеджэну пэшхэр зэхэмыхьэу къызэрагъэпэщащ. Мис апхуэдэу Ислъам институтыр Налшык къыщызэIуахащ. И щхьэгъусэ Инхьам бзылъхугъэхэр иригъаджэу, Шоукъи щIалэхэр и нэIэ щIэту Iуэхур дахэу яублащ. Абы щыгъуэм сэбэп къыхуэхъуа дэтхэнэ зыми Бэлагъым ину фIыщIэ яхуещI. ИужькIэ Шоукъи зыкъомрэ лэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и тхьэмадэ ПщыхьэщIэ Шэфихь и къуэдзэу. Тхылъ щхьэпэ цIыкIу куэд зэгъусэу къыдагъэкIащ, нэмэзым, нэщIым, псэ къабзагъым, хьэрэмым, хьэлэлым, нэгъуэщI куэдми ятеухуауэ. Абыхэм ящыщу зыри ящакъым, атIэ Алыхьым папщIэ псапэу ягуэшащ. Бэлагъы Шоукъи и ныбжьыр пенсэм нэсами, зэи Iуэхуншэ хъуркъым. Муслъымэн диным теухуа тхыгъэхэр газетхэм къытрыре-гъадзэ, дин щIэныгъэ, пэжыгъэ къэзылъыхъуэу абырэ и щхьэгъусэ Инхьамрэ я деж екIуалIэ куэдым я къаруи зэмани емыблэжхэу зыщIагъакъуэ. Адыгэ, муслъымэн нэсым зэрихабзэщи, абыхэм я бжэр хэт и дежкIи зэIухащ икIи чэнджэщ, ущие щхьэпэхэр щыгъунэжщ. Жылокъуэ Люсаннэ. ЗэIущIхэр ХэкIыпIэхэр зэгъусэу къалъыхъуэ Мечиевым и цIэр зэрихьэу Налшык дэт сабий-ныбжьыщIэ библиотекэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Жылагъуэм граждан зэгурыIуэныгъэр щыгъэбыдэнымкIэ хэкIыпIэхэр» зыфIаща зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ динымрэ цIыхум и гъэсэныгъэмрэ зэрызэпыщIам, ислъамыр телъхьэпIэ ящIурэ жылагъуэр зэкъуаудыну яужь зэритым, нэгъуэщI куэдми. Зумакулов Борис зэIущIэм къыщопсалъэ. — Нобэ мыбдеж дызыщытепсэлъыхьыну Iуэхугъуэхэм я хэкIыпIэхэр щхьэж ди еплъыкIэ зэдмыIуэтылIауэ дубзыхуфынукъым. Ди гъащIэм къыхыхьэ мыхъумыщIагъэхэр зэрыхэдгъэкIыжыну Iэмалхэр къэдгъуэтын хуейщ. Абы ипкъ иткIэ, игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкI динхэр джынымрэ зегъэужьынымкIэ зэгухьэныгъэр гъащIэм къыщыхъу насыпыншагъэхэр зэхэгъэкIыным хэмыхьэныр, Iуэху зэIумыбзхэр зэрызэфIихын Iэмалхэр зэримыхуэныр къуаншагъэщ. Ауэ, ди закъуэ къарукIэ абы дыпэлъэщынукъым. Сыхуейщ интеллигенцэри псалъэмакъым къыхыхьэну, я гупсысэ къытхалъхьэну, — жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым абы и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ зы Ахматов Назир-хьэжы. — 2005 гъэм и жэпуэгъуэм ди республикэм къыщыхъуа гуауэм дытепсэлъыхьыну, Iуэхум хэкIыпIэ къыхуэтлъыхъуэну Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым зэгуэрым дыщызэхуэсат. ПщIэ зыхуащI щIэныгъэлI гуэрым абы щыгъуэм зыкъытхуигъэзащ: «Мэккэм нэс фыкIуэурэ мывэ фIыцIэм и хъуреягъыр щхьэ къэфкIухьрэ? Кавказым щывубзыху хъунукъэ хьэжы щыфщIын щIыпIэ?» Апхуэдэ гупсысэкIэ мыхъумыщIэ уиIэныр, ислъам диным афIэкIа хыумыщIыкIыу щIалэгъуалэм зэхебгъэхыныр сфIэемыкIущ. Муслъымэныгъэр мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я быдапIэщ икIи къызыхэкIа лъэпкъым емылъытауэ абы цIыху псори зэхуегъадэ, ахэр Алыхьым къигъэщIащи. Аращ сыт хуэдэ Iуэхугъуэми и къежьапIэу щытыпхъэр. ГъащIэм лъэныкъуэ куэдкIэ ухуэзыущийт тхакIуэ, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэ Тхьэзэплъ Хьэсэн и псалъэхэр: — Зыгуэрым щыуагъэ IэщIэкIамэ, цIыхур абы хуэзыша Iуэхугъуэр зэпкърыхын, щхьэусыгъуэр къэтIэщIын хуейщ. Дэнэ деж къыщежьар а мыхъумыщIагъэр, сыт хуэдэ Iуэхугъуэ ар зыгъэлъэпэрэпар? Насыпыншагъэр щIэныгъэншагъэм къыхокI. Апхуэдэу щыщыткIэ, цIыхур щIэныгъэм пэгъунэгъу хуэщIыпхъэщ. Нэхъыщхьэращи, абы и псэр художественнэ тхыгъэкIэ псыхьын хуейщ. Тхылъ губзыгъэм цIыхур дахагъэм, къабзагъэм хуегъасэ. Литературэм гъащIэр зэпкърех образкIэ, IуэхугъуэкIэ, — къыхигъэщащ абы. — ФIэщхъуныгъэ къудейкъым цIыхум хэлъын хуейр. Абы Iэмал имыIэу дэщIыгъупхъэщ гугъэмрэ лъагъуныгъэмрэ. — Сэ республикэм сыкъызэрихьэжрэ куэд щIакъым, хамэ щIыпIэ сыщыIащ, — къригъэжьащ зэIущIэм кърихьэлIа спортсмен Вэрокъуэ Юрэ и псалъэхэр. — Къалэ паркым сихьэу къэскIухьын соукIытэ, щIыкIэншэу тетIысхьэпIэхэм тес щIалэгъуалэм я зэранкIэ. Апхуэдэхэм зэгуэр сеущиену сыкъэувыIати: «Уи мыIуэху зумыхуэу, уи гъуэгу хэгъэщI», — жаIэри къыспадзыжащ. Ди щIалэгъуалэм ящыщ куэдыр щыкIащи, зэрызащIынур ящIэжыркъым. Апхуэдэхэм я нэхъыбэр ди лъэпкъхэм щыщхэрщ. Абы щыгъуэми Вэрокъуэм игу къэкIыххакъым зи гугъу ищI щIалэгъуалэр щIыщыкIам и щхьэусыгъуэр нэхъыжьыIуэхэм я дежи къыщылъыхъуэн зэрыхуейр. А гупсысэр ирищIэзгъэбыдэжыну зы щапхъэ закъуэ къэсхьынщ. МаршруткэкIэ къуажэм сыкIуэжу, къэувыIэпIэ гуэрым зы фызыжьрэ зы щIалэ цIыкIурэ къыщитIысхьащ. Абыхэм я ужьым итахэм тIысыпIэр яхурикъуртэкъыми, нанэм и къуэрылъхур иригухыну хэтт: «ТIыс, тIыс псынщIэу». ЩIалэ цIыкIум и жэуапыр нэхъ губзыгъэу къыщIэкIащ: «Нанэ, сэр нэмыщI абдеж тIысыну нэхъ зыхуэфащэ щыIэщ»… Апхуэдэ щапхъэхэри гъащIэм щыкуэдщ. — Нобэрей зэIущIэр къыдэхъулIауэ убж хъунущ. Дэ дыщыпсэур дин, лъэпкъ куэд къыщызэдэгъуэгурыкIуэ къэралщ икIи зым адрейм худичыхыу, хуэтэмакъкIыхьу гъащIэм дыхэтыпхъэщ, — жиIащ КъБР-м цIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу щыIэ Зумакулов Борис. Абы къыхигъэщащ мы Iуэхум цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр нэхъыбэу къыхэшэн зэрыхуейр. ЗэIущIэм хэтахэм къалъытащ псалъэмакъым адэкIи къыпыщэн хуейуэ, зегъэубгъупхъэу. БизнесымкIэ институтым и ректор Хъурей Феликс къыкIэлъыкIуэну зэхуэсыр я еджапIэм щрагъэкIуэкIмэ зэригуапэр жиIащ. Абы къыхигъэщащ Iуэхум фIы и лъэныкъуэкIэ зедгъэужьыну иужь дитмэ, щхьэж езым и деж къыщыщIидзэн зэрыхуейр. КъыкIэлъыкIуэну зэIущIэр зытраухуэнури яубзыхуащ. Абы щытепсэлъыхьынущ игъащIэ лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ ислъам ди- ным унагъуэм щиIыгъ увыпIэм. Гугъуэт Заремэ. КъэхъукъащIэхэр УщIэгузэвэн хэлъкъым Мазаем и 12-м сыхьэти 10-м нэблэгъауэ Налшык дэт мэжджыт нэхъыщхьэм и азэн джапIэхэм ящыщ зым Iугъуэ фIыцIэ Iув кърихуу цIыхухэм ялъэгъуащ. Дакъикъэ зыбжанэм абы мафIэсгъэункIыфIхэр нэсащ. МафIэсым иубыдар метр зэбгъузэнатIэу плIы хъууэ арат, ауэ абы псынщIэу зиубгъункIэ шынагъуэт. Зэман кIэщIым мафIэр ягъэункIыфIащ икIи мэжджыт нэхъыщхьэм ар зэран хуагъэхъуакъым. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, мафIэсыр къэзышар электокъарур зрикIуэ кIапсэхэр зэжьэхэуэу хъуаскIэ къызэрыдидзарщ. Азэн джапIэм ма-къыр зыгъэлъэщ Iэмэпсымэхэр йокIуалIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм къызэрыщыджаIамкIэ, мафIэсыр къызэрыхъуар щIэпхъаджащIэ гуэрым и зэрану хуэбгъэфащэ хъунукъым. Азэн джапIэм хуит ямыщIауэ зыри дэкIуеифынукъым. МафIэсым и Iэужьхэр зэман кIэщIым ягъэкIуэдыжащ. Азэн джапIэм игъуэта ныкъусаныгъэхэр мэжджыт нэхъыщхьэм и лэжьакIуэхэм езыхэм я къарукIэ ягъэзэкIуэжащ. Хьэдисхэр Бзэгур пхъумэныр нэхъ гугъущ Дыщэ пхъумэн нэхърэ, бзэгур пхъумэныр нэхъ гугъущ. Сабийм укIытэ хэлъмэ нэхъыфIщ, шынэ хэлъ нэхърэ. УкIытэ зыхэ-лъым акъыл зэрыбгъэдэлъыр къыхощ, ауэ шынэр — къэрабгъэщ. Къемэт махуэр къэсарэ фи языхэзым хъурмей цIыкIу IэщIэлъмэ, къызэфIэмыувэж и пэ ар хухэсэнумэ хрыресэ. Алыхьыр зыщыгъупщахэм, къемэт махуэр зигу къэмыкIхэм, гуэны-хьыр зылэжьхэм ящыщ умыхъу. Къемэт махуэм ущымыщтэ жытIамэ, ар уигу къыумыгъэкI жиIэу къикIыркъым. Зыми фыкъамылъагъуу фыщизакъуэм и дежи Алыхьым пэжу фыбгъэдэт. ПщIэ зиIэр ДыкъэзыгъэщIам пщIэ зыхуищIращ. Алыхьым цIыхур фIыуэ къилъагъумэ, цIыхухэми Ар фIыуэ къалъагъуу ещI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25572.txt" }
ЛIыфI и щытхъу кIуэдыркъым ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу Политик, унэтIакIуэ, лэжьакIуэ емызэш ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд Хьэгуцырэ и къуэр 1923 гъэм мазаем и 23-м Тэрч районым хыхьэ Урожайнэ къуажэм къыщалъхуащ. Налшык педучилищэм щеджа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал педагогикэ институтым и япэ курсыр къиухауэ, 1942 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм я къуажэм игъэзэжри, абы дэт илъэсибл еджапIэм лэжьэн щыщIидзащ. А илъэс дыдэм дзэм ираджэри, лъэсыдзэм хэтхэр щрагъаджэу Урюпинск дэт училищэм и курсантхэм я батальоным хэту зауэм макIуэ. Япэ зэхэуэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, илъэсрэ ныкъуэкIэ сымаджэщхэм щIэлъауэ Советыдзэм къыхагъэкIыжащ. 1944 гъэм ШэджыхьэщIэр хах ВЛКСМ-м и Урожайнэ райкомым и япэ секретару. Апхуэдэу Къэбэрдей къыщIидзащ абы и жылагъуэ-политикэ лэжьыгъэр, илъэс 43-кIэ зэпыу имыIэу ирихьэкIар. ВЛКСМ-м и ЦК-м деж щыIэ комсомол школ нэхъыщхьэр 1946 гъэм къиухри, Мухьэмэд — секретару, иужькIэ Къэбэрдей АССР-м и ВЛКСМ-м и обкомым и етIуанэ секретару лэжьащ. 1946 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м ирихьэлIэу щIыналъэ комсомол зэгухьэныгъэм ВЛКСМ-м хэту цIыху 11.188-рэ къыщабжащ, ахэр пэщIэдзэ организацэу 545-м щызэгъэуIуат. Республикэм и комсомолхэм ящыщу 1479-р лэжьакIуэт, 3859-р колхозхэтт, 34-р инженерт, техникт. Республикэм и комсомол зэгухьэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэр лэжьапIэ IэнатIэхэр зэфIэгъэувэжынырт. Мухьэмэд и къару псори тригъэкIуадэрт комсомолхэмрэ зэгухьэныгъэхэм хэмыт щIалэгъуалэмрэ къызэщIиIэтэу ерыскъыпхъэ къыщIэзыгъэкI предприятэхэр, электрическэ станцхэр, псом хуэмыдэу Бахъсэн ГЭС-р, колхозхэмрэ совхозхэмрэ зэфIагъэувэжыным. Комсомолым и обкомым и лэжьыгъэр щIэрыщIэу зэтриублэжырт, унафэщIхэр хихыжырт. 1947 гъэм и гъатхэпэм ВЛКСМ-м и щIыналъэ зэгухьэныгъэм и XVI конференцым щыжаIауэ щытащ: «лIыкIуэ 236-м щыщу 111-р Хэку зауэшхуэм хэтащ, цIыхуи 144-м правительствэ дамыгъэхэр яIэщ. Зауэр къызэзынэкIа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ комсомолым и къалэ, район комитетхэм унафэщIу щолажьэ, япэ, етIуанэ секретарь 32-м ящыщу 25-р фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтащ». Конференцым щаубзыхуат республикэм зыкъызэриужьыжын, экономикэмрэ щэнхабзэмрэ зэрырагъэфIэкIуэн Iэмалхэр. ВЛКСМ-м и обкомым и япэ секретару хахащ Кабалоев Билар, етIуанэр ШэджыхьэщIэ Мухьэмэдт. 1949 гъэм и фокIадэм ШэджыхьэщIэм къыхуагъэлъагъуэ партым и Налшык райкомым и япэ секретарь къулыкъур. 1950 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хах. КПСС-м и ЦК-м и парт школ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, 1956 гъэм ШэджыхьэщIэр КПСС-м и обкомым пропагандэмрэ агитацэмкIэ и къудамэм и унафэщIу ягъэуври, илъэсиблкIэ а IэнатIэм щылэжьащ. А илъэсхэм зи гугъу тщIы къудамэм къалэнышхуэ игъэзэщIащ парт, совет лэжьапIэ IэнатIэхэр къэIэтыжыным ехьэлIауэ. 1963 гъэм и щэкIуэгъуэм екIуэкIа XXVIII парт конференцым Мухьэмэд обкомым и секретару щыхахащ, обкомым и бюром щыхагъэхьащ. Пленумым и пщэ къыщыдалъхьащ идеологиемкIэ къудамэм и унафэщI къулыкъур. 1965 гъэм партым и обкомым лэжьыгъэшхуэ къызэригъэпэщырт. КПСС-м и къалэ комитетхэм я убзыхукIэр зэрахъуэжам, район комитетхэр щIэрыщIэу къызэрызэрагъэпэщыжам парт зэгухьэныгъэхэм я пщIэр иIэтащ. Илъэс къэс нэхъ быдэ хъурт зэкъуэш республикэхэм лэжьыгъэ, литературэ я лъэныкъуэкIэ зэхуаIэ зэпыщIэныгъэхэр. ЩIэх-щIэхыурэ радио-теленэтынхэмкIэ, газет напэкIуэцIхэмкIэ зэхъуажэрт. Сыт и лъэныкъуэкIи IэнатIэм хуэхьэзыр, Совет къэралыгъуэм, парт политикэм хуэпэж ШэджыхьэщIэр Мухьэмэд мызэ-мытIэу КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хахащ икIи илъэс куэдкIэ абы и унафэщIу (1964 — 1985 гъэхэм) щытащ. Хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм запыщIэным хуэлажьэ Совет комитетым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ зыщ ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд. ИужькIэ «Хэку» обществэр зэхишащ икIи пенсэм кIуа нэужь, илъэс зыбжанэкIэ абы и унафэщIу щытащ. И къару емыблэжу зэрылэжьам папщIэ ШэджыхьэщIэм къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь, Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь, «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденхэр, Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр, медаль куэд. Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, блэкIа лIэщIыгъуэм и 60 — 70 гъэхэм республикэм и идеолог нэхъыщхьэу ялъытэу щыта, Хэку зауэшхуэм и ветеран ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд Хьэгуцырэ и къуэр 1996 гъэм фокIадэм и 1-м дунейм ехыжащ. Хамэм и узыр езым ейм хуэдэу зыхищIэрт Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и езанэ курсым сыщIэсу, Тыркум щыпсэу адыгэхэм сахуэтхэу щIэздзащ — иужькIэ Иорданием, Сирием, Израилым, США-м щыщ ди лъэпкъэгъухэм запысщIащ. Апхуэдэ си жэрдэмыр хуабжьу къыздиIыгъырт ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд. Абы и фIыгъэкIэ 1969 гъэм сэ сыщыIащ Сирие Хьэрып Республикэмрэ Ливанымрэ. ШэджыхьэщIэр зыбжанэрэ яхуэзащ хамэ къэрал щикъухьа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ я деж кIуэну ежьэ турист гупым. Къэбэрдей-Балъкъэрым ар япэу къыщыхъуа Iуэхут. Абы и чэнджэщхэмрэ ущие псалъэхэмрэ сэбэп къытхуэхъуащ Дамаск, Хъомс, Хьэлэб, Бейрут щыхэхэс адыгэхэр нэхъыфIу зэдгъэцIыхунымкIэ. Сэ сызигъусэ гупым и пашэр публицист КIасэ Чэ-малт. Ди гъусэу нежьат адыгей тхакIуэ цIэрыIуэхэу МэшбащIэ Исхьэкъ, ХьэдэгъэлI Аскэр, Щхьэлахъуэ Хьисэ сымэ. Къэдгъэзэжа нэужьи, гуапэу дригъэблэгъащ Мухьэмэд, ди гупым и лэжьыгъэм пщIэ хуищIу. ИлъэситI дэкIа нэужь (адэ папщIэ схуэхъуа ШэджыхьэщIэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу) совет турист гупышхуэм сахэту Тыркум сыкIуащ. Дауи, Азие ЦIыкIум хиубыдэ а къэралым сэри си ныбжьэгъухэу КхъуэIуфэ Хьэчим, Щомахуэ СулътIан сыми нэхъ гугъу дыщехьащ Сириемрэ Ливанымрэ елъытауэ. Дауэ мыхъуми, ди Iуэхухэр къыдэхъулIауэ къэдгъэзэжащ. Абы щыпсэу адыгэхэм ящыщу Совет Союзым ныбжьэгъу къыхуэхъуахэм я бжыгъэм хэхъуащ. Сигу къэзгъэкIыжыну сыхуейт КъуэкIыпIэ Гъунэгъум дызэрыщыIа зы ежьэгъуи. Абы жэрдэмщIакIуэ хуэхъуар комсомолым и обкомрат. Дапщэщи хуэдэу, гупыр зи нэIэ щIэтри зыущийри ШэджыхьэщIэ Мухьэмэдт. Мы гъуэгуанэм жэуаплыныгъэшхуэ пылът, ар комсомолыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 60 щрикъум ирихьэлIат. Абы ипкъ иткIэ, ШэджыхьэщIэм зы Iуэхугъуэ къалэн къысщищIащ — лIыкIуэхэр къыхэзыхын хуейр сэрат. Ди гупым къыхыхьащ уэрэджыIакIуэ, IуэрыIуатэдж ХьэхъупащIэ Хьэсэн, сурэтыщI Пащты Герман, усакIуэ Ацкъан Руслан, Къэбэрдей къэрал драмтеатрым и актерхэу Иуан Владимиррэ Балъкъыз Валерэрэ, ВЛКСМ-м и обкомым и етIуанэ секретарь Ефэнды Феликс, комсомолым и Аруан райкомым и секретарь Мэлбахъуэ Светланэ, Налшык дэт педучилищэм и комсорг Щэныбэ Маргаритэ сымэ. Адыгэ къафэхэр дахащэу ягъэзэщIащ Шыбзыхъуэ Iэсиятрэ Щэрмэт Мухьэмэдрэ, пшынэ еуащ Хьэгъур Мадинэ… Совет Союзым и телеграф агентствэм зыбжанэрэ къитащ КъБР-м икIа щIалэгъуалэ гупым Дамаскрэ Амманрэ щыIэ совет щэнхабзэ центрхэм, Иордан Хьэшимит Къэралыгъуэм щыIэ СССР-м и посольствэм ехъулIэныгъэхэр яIэу зыкъызэрыщагъэлъэгъуар. ШэджыхьэщIэр, лIыхъужьхэр къызэрырагъэблэгъэжым хуэдэу, къытпежьэрт, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къитх хъыбархэм, Сириемрэ Иорданиемрэ Шэрджэс псапащIэ зэгухьэныгъэхэр зэрыщылажьэм теухуауэ жытIэжхэм гупсэхуу едаIуэрт, абыхэм щыIэ Хасэхэм нэхъ жыджэру хэтхэм, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр къыщызэзыгъэпэщхэм щIэупщIэрт. Урыс-Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм зи хэку залымыгъэкIэ ирагъэIэпхъукIа ди лъэпкъэгъухэмрэ хэкурысхэмрэ зэпыщIэжыныр къезыхьэжьахэм ящыщщ ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд. Абы и цIэр гуапэу къраIуэ хэхэс адыгэхэмрэ я хэку къагъэзэжынымкIэ зыдэIэпыкъуахэмрэ. И зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къэсу тIысыжа нэужьи, ШэджыхьэщIэр «Хэку» Къэбэрдей-Балъкъэр зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу щытащ. Махуэ къэс сэ слъагъурт хэхэс адыгэхэмрэ зи хэку къэзыгъэзэжахэмрэ я Iуэху дэкIыным абы тригъэкIуадэу щыта къарур. Дэ (сэри си ныбжьэгъу куэдми) ШэджыхьэщIэм и цIэр къызэрытпсэлъыр гуапагъэ къызэрымыкIуэ хэлъущ. Ар къилэжьащ абы щIэныгъэ куу зэрыбгъэдэлъам, цIыху пэжу, хамэм и узыр езым ейм хуэдэу зыхищIэу зэрыщытам папщIэ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. СэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ: Барк Мустэфа (Палестинэ), БырмамытI Алий (Иордание), ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд, Къущхьэунэ Алексей, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ. Накъыгъэм и 1, 1979 гъэ УнафэщI щыпкъэ ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд япэу щыслъэгъуар, псалъэу щызэхэсхар КПСС-м и Къэбэрдей обкомым и зэIущIэшхуэ гуэрт. Абы цIыху 300-м щIигъу кърихьэлIат, щекIуэкIари 1953 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-рт. Зи гугъу щащIар «Берие партым, къэралым пэщIэту иригъэкIуэкI щIэпхъаджагъэхэм ятеухуауэ» КПСС-м и ЦК-м и унафэрт. Сэ а зэхуэсым зэрымыщIэкIэ срихьэлIауэ аратэкъым: абы ирагъэблэгъат партым хэт нэхъ щIалэхэр — республикэм и къалэ, район комитетхэм я япэ секретархэр. ЗэIущIэм кърихьэлIа псоми зыжьэу Берие ягъэкъуаншэрт. ШэджыхьэщIэр сигу щIизубыдар мырагъэнщ: щIалэщIэ зэкIужыр (а зэманым абы и ныбжьыр илъэс 30 хъууэ арат), партым и Налшык райкомым и япэ секретарыр, зэпIэзэрыту, купщIафIэу тепсэлъыхьырт партым и обкомым и лэжьыгъэм хэлъ ныкъусаныгъэхэм. Губжь хэмылъу, ауэ ткIийуэ партым и обкомым и япэ секретарь Бабич В. И. и лэжьэкIэр зэпкърихырт, зыхуэфащэхэм IэнатIэ зэрырамытым, парт къулыкъущIэхэм я IуэхущIафэхэр тэмэму къызэрамыпщытэм гулъытэ хэха яхуищIу. Абы щыгъуэми Iуэхугъуэ пыухыкIахэр къигъэлъагъуэрт, цIэ-унэцIэхэр къриIуэрт. А зэIущIэр сщыгъупщэжыну къыщIэкIынт, ШэджыхьэщIэмрэ сэрэ зы гъащIэ гъуэгу дыздрикIуэну къытхуиухауэ щымытамэ. А зэIущIэр екIуэкIыу илъэсищ дэкIыжа нэужь, Мухьэмэд пропагандэмрэ агитацэмкIэ къудамэм и унафэщIу ягъэуващ, иужькIэ партым и обкомым и лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ къудамэм и Iэтащхьэ хъуащ. 1960 гъэм и кIэхэм сэ Дзэлыкъуэ райкомым и япэ секретару сыщагъакIуэм, абырэ сэрэ зы лэжьыгъэм дыпэрытын хуей хъуащ. А зэманым партым и обкомыр тIэкIу тегузэвыхь хъунт Дзэлыкъуэ районыр зи ныбжьыр щIалэ лэжьакIуэ гупым зэраIэщIилъхьам, дэри ар зыхэдмыщIэу къанэртэкъым. 1961 гъэм и пэщIэдзэм Мэлбахъуэ Тимборэ ди районым кърипхащ лэжьыгъэм и пIалъэр нэхъыфI дыдэу зыщIэ ШэджыхьэщIэр. Абы къалэну хуагъэуват ди лэжьыгъэр и нэIэ щIигъэувэу, дызыхуэныкъуэ псомкIи къыддэIэпыкъуну. Зы мазэм къриубыдэу ар тIэу-щэ накIуэрт ди районым. ИкIи райкомым дыщIэсу аратэкъым: къуажэхэр къызэхэджыхьырт, совхозхэм, колхозхэм дыкIуэурэ, унафэщIхэм, лэжьакIуэхэм дахуэзэрт. Мухьэмэд сэри сыздэщыIэ районми къызэрыддэIэпыкъуам и уасэр къэлъытэгъуейщ. Абырэ Мэлбахъуэмрэ я нэIэ къызэрыттрагъэтым сэри къыздэлажьэхэми къару къытхилъхьэрт икIи зэман кIэщIым къриубыдэу ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрыдгъэхьат. КъыжыIапхъэщ Мухьэмэд сэрэ дызэзыпхыр лэжьыгъэ къудейр арауэ зэрыщымытар. Обкомым къызэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэ ар зи унафэщIыр кIэлъыплъырт партым и район, къалэ комитетхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм. Мухьэмэд зэрызыхуэдгъазэ зы упщIи жэуапыншэу къанэртэкъым. Езым зыгуэрым игу хуэмызэгъамэ, егъэлея хэмылъу, зэпIэзэрыту къыбжиIэрт. Ар зыгуэрым текIияуэ е хуэмыфащэ жриIауэ сэ зэи зэхэсхакъым. 1969 гъэм КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIым и япэ къуэдзэу сыщагъэувам, Мухьэмэд КПСС-м и обкомым идеологиемкIэ и секретару лажьэрт, къищынэмыщIауэ Министрхэм я Советым мэкъумэш IэнатIэм щыкIэлъыплъыну и пщэ къыдалъхьат. Зэ еплъыгъуэкIэ, къалэнхэр зыкIи зэкIуалIэртэкъым. Ауэ сэ куэдрэ лъэIукIэ зыхуэзгъазэрт парт лэжьыгъэм и пIалъэр фIыуэ зыщIэ унафэщIым. Къыхэгъэщыпхъэу къыщIэкIынщ, ныбжьэгъугъэ ди зэхуаку дэлъами, гуапэу дызэхущытами, гъунэгъу дыдэу, и унагъуэкIэ сцIыхуу дыкъызэремыкIуэкIар. Абы ныбжьэгъу пэж куэд иIэт, ауэ хэт нэхъ гъунэгъуу иIар жаIэрэ къызэупщIмэ, зым и цIи къысхуиIуэну къыщIэкIынкъым. КъызэрысфIэщIымкIэ, а цIыху губзыгъэм хузэфIэкIырт гъунэгъу зыкъыхуэзыщI дэтхэнэри, мардэ гуэрым тету тIэкIу пэIэщIэу къигъэнэну. Апхуэдэщ политик жыжьаплъэхэр. Ар политик нэсу зэрыщытам шэч лъэпкъи къытесхьэркъым. Абы и лъэныкъуэкIэ, сэ сызэреплъымкIэ, абы япэ иту щытар Мэлбахъуэм и закъуэщ. ШэджыхьэщIэр адрейхэм къащхьэщыкIырт и IущагъымкIэ, и щIэныгъэмкIэ, зэпIэзэрытагъкIэ, нэхъыщхьэращи, зыпэрыт IэнатIэм зэрыхуэпэжымкIэ. Арагъэнщ ар КПСС-м и обкомым и япэ секретарым и щIэгъэкъуэну щIыщытари. Псоми фIыуэ ящIэ жэуаплыныгъэ зыпылъ докладхэр, къэпсэлъэныгъэхэр, ЦК-м ирагъэхь письмохэр езы Мэлбахъуэм итхыжу зэрыщытар, ар нэгъуэщI зыгуэрым игъэхьэзырын хуей хъуами, Iэмал имыIэу езым зэригъэзэхуэжырт. Абы и лъэныкъуэкIэ Тимборэ зэзыхъуэкIыфыну щытар ШэджыхьэщIэм и закъуэт, арат иныкъуэхэм деж ар зи пщэ къыдэхуэри. Пэжщ, ахэракъым абы иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм нэхъыщхьэу хэлъар. Мухьэмэд и гуащIэ хэлъщ щэнхабзэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ, нэгъуэщI IэнатIэхэмкIэ республикэм иIэ хъуа зыужьыныгъэм. ДохъуЩокъуэ Мусэ. И адэмрэ и къуэхэу Славэ, Сашэ, Сережэ сымэ я гъусэу. 1950 гъэ И щхьэ щысхьыжыртэкъым ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд цIыхугъэ къыщысхуэхъуар 60 гъэхэращ. А зэманым сэ гидрометаллург заводым сыщылажьэрт. Абы и благъэ щIалэ Мэкъуауэ Зауррэ сэрэ Кавказ Ищхъэрэ гидрометаллург институтым дыщызэдеджат, иужькIэ заводми дыщызэдэлэжьат. Арати, къыздеджа щIалэм и хьэгъуэлIыгъуэм ШэджыхьэщIэр щызэзгъэцIыхуащ. СощIэж, Мухьэмэд фIэгъэщIэгъуэну заводым, абы щIалэгъуалэ, социальнэ Iуэхухэр зэрыщызэфIахым тегъэчыныхьауэ щIэупщIауэ зэрыщытар. Абы щыгъуэ а заводыр республикэм щынэхъыфIхэм ящыщт. ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд республикэм и къыщхьэщыжакIуэ пэрытхэм ящыщ зыуэ къалъытэрт, абы и IэмыщIэ илът обкомым и къудамищ: пропагандэмрэ агитацэмрэ, щIэныгъэ, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ IуэхугъуэхэмкIэ. ИужькIэ а щыри зэхагъэхьэжри, идеологиемкIэ къудамэ хъуащ. Мухьэмэд набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъырт икIи ядэIэпыкъурт газетхэм, радиом, телевиденэм, ЩэнхабзэмкIэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэхэм, КъБР-м и Госкомиздатым, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэми. Абы и фIыщIэшхуэ хэлъщ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм запытщIэфу зэрыхъуам. А зэманым апхуэдэ Iуэху къэпIэтын, дэбгъэкIын папщIэ зэфIэкIи тегушхуи пхэлъын хуейт. Ауэ, «Хэку» зэгухьэныгъэм иIэ лъагъуэхэр къигъэсэбэпурэ, илъэс къэс абы ди цIыхухэр кIуэуэ, езыхэри хьэщIапIэ къакIуэу зэтриублащ, абыхэм папщIэ дэфтэрхэр дгъэхьэзырыну, газет, журнал, тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр яхуедгъэшэну Iэмал дгъуэтащ. Апхуэдэуи радио, телевиденэ нэтын къыхэхахэр хуагъэхьэзырырт. Щэнхабзэ, егъэджэныгъэ унэтIыныгъэхэм щылажьэхэр а къэралхэм ягъакIуэрти, абы исхэм бзэр яджынымкIэ сэбэпышхуэ яхуэхъурт, хабзэр ирагъащIэрт. А лъэхъэнэм ди хэкуэгъухэм ящыщ куэдым къыщалъхуа щIыналъэм къагъэзэжащ. Мухьэмэд къаруушхуэ ирихьэлIащ еджапIэщIэхэр, IэщIагъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр къызэIуахыным, щэнхабзэм зегъэужьыным, лъэпкъыр зыхуеину IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным. А псори Мэлбахъуэ Тимборэ щIыгъуу, КПСС-м и ЦК-р, къэралым и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ къагъэсэбэпкIэрэ, пхагъэкIырт. Мухьэмэд и къалэн нэхъыщхьэр зэIущIэхэр, республикэм щагъэлъапIэ махуэшхуэхэр къызэгъэпэщынырт. КIэщI-кIэщIурэ щэнхабзэм, гъуазджэм, литературэм я махуэхэр Москва, Украинэм, Латвием, нэгъуэщI щIыпIэхэми щагъэлъапIэрт. Зэныбжьэгъугъэ яку дэлъу зэхьэзэхуэхэр драгъэкIуэкIырт Украинэм и Винницкэ областым, Липецк, ди гъунэгъу щIыналъэхэм. А зэIущIэхэр сэбэпышхуэ хъурт лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымкIэ, цIыхухэр хэку лъагъуныгъэ яIэу гъэсэнымкIэ. А зэманым етхьэкIа ди лэжьыгъэм и гугъу щыпщIкIэ, къыхэгъэщыпхъэщ, жыпхъэ гуэрым дытетами, зэманкIэ ар фэрыщIыгъэу къызыщыхъу щыIами, икъукIэ Iуэху щхьэпэ, цIыхухэм папщIэ сэбэп IуэхущIафэ дызэриIар. Ар зэманым наIуэ къищIыжащ. Нобэ дызрихьэлIэ Iуэху мыщхьэпэхэм хуэдэхэр абы щыгъуэ закъуэтIакъуэт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, лэжьыгъэм и фIагъми, абы къыпэкIуэ фейдэми кIэрыху зэпытурэ макIуэ. Сэ сызэреплъымкIэ, совет зэманым фIыуэ хэлъа псори ноби къэщтэжыпхъэщ. Ди щIалэгъуалэм нэхъ жыджэру ядэлэжьэн хуейуэ къызолъытэ, псори дызэкъуэувэмэ, республикэм и ехъулIэныгъэм зэрыхэдгъэхъуэфынур быдэу си фIэщ мэхъу. Партым и обкомым и аппаратым и лэжьакIуэхэм ящыщу пщIэрэ щIыхьрэ зыхуащIхэм, фIэлIыкI зиIэхэм ящыщт ШэджыхьэщIэр. Мэлбахъуэ Тимборэ нэхъ и гъунэгъу, абы и деж пщIэшхуэ щызиIэт Мухьэмэд. Ар цIыху зэтетт, акъылыфIэт, гъэсат, щIэныгъэшхуэ бгъэдэлът, библиотекэшхуэ иIэти, куэд дыдэ еджэрт. Зыми илъэгъуакъым абы и макъым зригъэIэтауэ, цIыхур къызыхэкIам, иIыгъ къулыкъум тещIыхьауэ зыгуэр игъэлъэхъшэну яужь итауэ. ЕкIуу, дахэу, лэжьыгъэм хуэкIуэу сыт щыгъуи зихуапэрт. ЦIыху лэжьакIуэт, жэщ имыIэу, зыгъэпсэхугъуэ махуэ имыщIэу лажьэрт, и зэманми и къаруми щысхьыртэкъым, Iуэхур хуэгъэкIуэтэну ищIэмэ. Шурдым Юрэ. ПщIэ лъагэ Хэку зауэшхуэм и зэуапIэ губгъуэм ита, фашистыдзэм зэхифыщIа щIыналъэр зэфIэгъэувэжыным и къару емыблэжу хуэлэжьа гупым ящыщащ ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд Хьэгуцырэ и къуэр. Абыхэм ящIар къыпхуэмылъытэным хуэдизщ, пщIэрэ щIыхьрэ яхуэфащэщ. Сэ комсомолым сыщыхэта лъэхъэнэрщ ар щызэзгъэцIыхуар. Абы щыгъуэм Мухьэмэд партым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым къызэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIу лажьэрт. ЩIалэгъуалэм якIэлъыплъу арати, зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIыр къетхьэжьэ Iуэхухэм дэIэпыкъуэгъушхуэ къыщытхуэхъурт. Комсомол ныбжьым тIэкIу фIэкIами, ар щIалэгъуалэ зэIущIэхэм псэрэ къарурэ яхуэхъурт. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэу зи хэкум папщIэ зи псэр зытахэм я фэеплъ комплексыр ухуэным и псалъэ хилъхьауэ зэрыщытари сощIэж. Апхуэдэуи Мухьэмэд къыддэIэпыкъуащ Комсомол аллее паркым щыщыхэтсэми, партым и обкомым ПросвещенэмкIэ и унэм (иджыпсту Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр драмтеатрырщ) деж республикэм къэкIуа космонавтхэм псей щхъуантIэхэр щагъэтIысами. ВЛКСМ-м и ЦК-м и аппаратым сыщылэжьэну къыщысхуихуами, ШэджыхьэщIэмрэ сэрэ мызэ-мытIэу дызэIущIащ. Абы щыгъуэм республикэм къэзгъэзэжу, парт лэжьыгъэм сыпэрыхьэу Мухьэмэд си унафэщIу сылэжьэну си пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым. НыбжькIэ щIалэ дыдэу сыщымытыжми, лэжьыгъэм зыгуэрхэр хэсщIыкIми, обкомым идеологиемкIэ и къудамэм и унафэщIу сылэжьэныр тынш дыдэу къыщIэкIакъым си дежкIэ. Гугъу сехьауэ щытащ, республикэми абы и цIыхухэми я зэIузэпэщыр зыубзыху ШэджыхьэщIэм и гупым сызэрыхэзэгъэну щIыкIэм сегупсысурэ. Ауэ апхуэдэ пIейтеиныгъэр лейуэ къыщIэкIащ: Мухьэмэд гуапэу сригъэблагъэри, япэми хуэдэу, къыздэIэпыкъуащ. Ар Тхьэр зэчийкIэ зыхуэупса цIыхут, парт, политикэ лэжьыгъэм хэлъ щэху псори фIыуэ зыщIэт, гугъуехьхэм я хэкIыпIэр абы нэхърэ нэхъыфIу къэзыгъуэтыф гъуэтыгъуейт. Ар партым и обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэ и Iэ лъэныкъуэт жыпIэкIэ ущыуэнукъым. ЖиIа псалъэм тетыж, зыпэрыхьа Iуэхур къикIуэт имыIэу зыгъэзащIэ Мухьэмэд хуэмыщIэнум щхьэкIэ укъигъэгугъэнутэкъым, лъэпощхьэпо къызыхэкIын унафэ къищтэнутэкъым, уи IуэхукIэ уи дзыхь ебгъэзамэ, ар зэрызэфIэкIынум шэч къытумыхьэжми хъунут. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ зиIэ унафэщIым и жьауэ щIэту лажьэхэми жэуаплыныгъэ нэхъыбэ яхьын хуей хъурт. Си щхьэрщ зи гугъу сщIыр. ШэджыхьэщIэм парт документым фIыуэ хищIыкIырт, «ищхьэмкIэ» ягу ирихьынымрэ иримыхьынымрэ фIыуэ зэхигъэкIыфырт, тхыгъэхэр зэгъэзэхуэжынымкIэ Iэзэт. Iуэху къызэрыгуэкIхэм щхьэкIэ уигъэпIейтеинутэкъым, езыр къулыкъукIэ зэрынэхъ лъагэр уигу къигъэкIыжынутэкъым, сытым дежи къызэрыгуэкIыу щыт цIыхут. Арагъэнщ зыцIыхуа, дэлэжьа псоми абы пщIэшхуэ хуэтщIу щIыщытар. Зумакулов Борис.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25577.txt" }
Ди къуэш республикэхэм IуащхьиплI къатIэщIащ Адыгей. Щэнхабзэ щIэиныр хъумэнымрэ ахэр къэгъэсэбэпынымкIэ республикэ управленэм щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, Адыгейм и Цицин мэзылъэм археологием и фэеплъ телъыджэу IуащхьиплI хабзэм къемызэгъыу къыщатIэщIащ. Адыгейм и Мейкъуапэ куейм хыхьэ бгылъэм щыIэ а Iуащхьэхэр бзаджащIэхэм зэрызэхатIыхьар наIуэ хъуащ, абы теухуауэ хъыбар хабзэхъумэхэм къаIэрыхьэу, къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIам. Ахэр зэтракъутащ техникэ хьэлъэхэмкIэ. Иджыпсту Адыгейм и щIыналъэм щэнхабзэ щIэин объекту 3084-рэ щыIэщ. Абыхэм я нэхъыбэр археологие фэеплъхэщ икIи я щытыкIэр узыгъэпIейтейщ. ДыхьэпIэр ягъэщIэращIэ Мейкъуапэ и администрацэм къалэ дыхьэпIэр зыхуей хуигъэзэну, Адыгейм и къалащхьэм стеллэ-дамыгъэщIэхэр щигъэувыну и мурадщ. Абы ипкъ иткIэ, Мейкъуапэ и Iэтащхьэм и къалэныр зыгъэзащIэ Наролин Александр унафэ ищIащ дамыгъэхэм я макетхэр щIыным теухуа зэпеуэ ирагъэкIуэкIыну. Апхуэдэуи къигъэуващ къемызэгъ пхъэнкIий идзыпIэхэр ягъэкIуэду къалэр гъэкъэбзэным, зыхуей хуэгъэзэным нэхъ текъузауэ телэжьэнущ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25584.txt" }
Гуапагъэ яку дэлъу Ди газетым зэрытетащи, «Кавказым щызэдэлажьэхэр» мыкоммерцэ дарэгъу организацэм и жэрдэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щохьэщIэ эксперт-щхьэхуит, «Куржым и гугъапIэхэр» экономикэ программэм и унафэщI, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Гиорхелидзе Демуррэ Евразие институтым и лIыкIуэ, дунейпсо правэмкIэ магистр, публицист Апхаидзе Шотарэ. Мазаем и 25-м ахэр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ирагъэблэгъащ, еджапIэ нэхъыщхьэм и IуэхущIафэм хагъэгъуэзащ, егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ яIущIащ. «Урысей-Куржы зэхущытыкIэхэм щIыналъэхэм зэрыщызэхуеплъыр» зыфIаща зэIущIэр къыщызэIуихым, КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий къигъэлъэгъуащ совет лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Куржымрэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм пыщIэныгъэ быдэ зэрызэхуаIар, мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэныкъуэ куэдкIэ зэдэлажьэу зэрыщытар. — СССР къэралыгъуэр щакъутэжым, а псори дэкIуэдащ, пхуэмыIуэтэщIыну гугъуехь куэд лъэпкъхэмрэ цIыхухэмрэ къахуихьащ. ЗэманыфI хъуауэ ар ди нэгу щIокI. Арами, мамыр гъащIэмрэ зэпыщIэныгъэ гуапэмрэ зыузэщIыныгъэм, зэгурыIуэныгъэм, зэдэлэжьэныгъэм я лъабжьэу зэрыщытыр пэжым и телъхьэхэм зэи зыщагъэгъупщэркъым. Мы ди нобэрей зэIущIэр абы и зы Iыхьэу къэплъытэ хъунущ, — жиIащ ректорым. — Куржым щыщ щIэныгъэлIхэр къызэрытхуеблэгъар цIыхубэ дипломатиер зэрымыужьыхым, ар зэрыкъаруушхуэм я щыхьэтщ. Сыт хуэдэ Iуэхуу щрети, политикхэм псом япэу къалъытапхъэр цIыхубэмрэ абыхэм я лIыкIуэхэмрэ зыгъэпIейтейхэрщ, къабгъэдэкI гупсысэ узыншэхэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ Куржым щыщ щIэныгъэлIхэм жаIэни къытхуаIуэтэни я мащIэкъым. Ди зэпыщIэныгъэмрэ зэдэлэжьэныгъэмрэ зэтедгъэувэжын папщIэ, лэжьыгъэшхуэ зэфIэтхын хуейщ. Дауи, ар зи къалэныр политикхэрщ, ауэ цIыхубэ дипломатиер егупсысауэ къагъэсэбэпмэ, абы и къарур къалъытэмэ, гъащIэм къигъэув къалэн гугъухэр зэфIэхыным сэбэпышхуэ зэрыхуэхъунум шэч къытетхьэркъым. — Фи деж дыкъэкIуэн и пэкIэ Осетие Ищхъэрэми Дагъыстэнми дыщыIащ. ЕдгъэкIуэкIа зэIущIэхэм къагъэнэIуащ Куржым щекIуэкIхэм щIагъуэу дызэрыщымыгъуазэр, Кавказ Ищхъэрэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэфIхэм абы и цIыхухэр зэрыпэIэщIэр. Хъыбар пэжхэр зэрызэIэпах Iэмалхэр лъэныкъуэхэм нэгъэсауэ къахуэгъэсэбэпыркъым, — къигъэлъэгъуащ «Кавказым щызэдэлажьэхэр» мыкоммерцэ IуэхущIапIэм и унафэщI, Мэзкуу къалэм дунейпсо зэхущытыкIэхэмкIэ и къэрал институтым Кавказыр джынымкIэ и центрым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Силаев Николай. — Урысей-куржы зэхущытыкIэхэр икъукIэ зэрыткIийр, зэрыгугъур къыдгуроIуэ, ауэ политикэм къыдэкIуэу, лъэпкъхэр, цIыхухэр нэхъ мащIэу зэхуэпабгъэркъым. ЕдгъэкIуэкI зэIущIэхэр нэхъыбэу зытетщIыхьыр а Iуэхугъуэрщ. Гиорхелидзе Демур хэгъэрейхэм фIыщIэ яхуищIри, къыхигъэщащ СССР-р зэракъутэжрэ дэкIа илъэс 22-м къриубыдэу Куржым и цIыхухэр бэлыхь зэрыхэтыр, граждан зауэр, зэхэкъутэныгъэхэр, залымыгъэкIэ властыр тIэунейрэ зэрахъуэжар я нэгу зэрыщIэкIар. — Ди щэнхабзэр, дызыпэплъэхэр, зыужьыныгъэр я лъабжьэу дяпэкIэ ипэкIэ дыкIуэну къытпэщытщ. Нэгъабэ жэпуэгъуэм и 1-м Куржы къэралыгъуэщIэ дгъуэтауэ жыпIэ хъунущ. Саакашвили Михаил дызыхуиша щыхупIэм дыкъикIын папщIэ, зэфIэхыпхъэхэр мащIэкъым. цIыхубэр зэкъуэувэу къару псори зыIэщIэлъа властым хуитыныгъэр къызэрыIэщIихыжам гугъэшхуэхэр дегъэщI. Политикэр тхъуэжыным, экономикэр къэIэтыжыным къаруушхуэ етхьэлIэн хуейщ, — жиIащ хьэщIэм. Абы къызэхуэсахэм яхуиIуэтащ Урысеймрэ я гъунэгъу щIыналъэхэмрэ хуаIэ щытыкIэхэр зэтегъэувэжыным хуэунэтIауэ зэфIэгъэкIыпхъэу къилъытэхэр, дунейм, нэгъуэщI къэралхэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм зэреплъыр, Кавказ Ищхъэрэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ нэрылъагъухэм зэрыдихьэхар, рынок зэхущытыкIэхэр я лъабжьэу, лъэныкъуэхэр зэдэлэжьэну зэрыщIэхъуэпсыр. Евразие институтым и лIыкIуэ, публицист Апхаидзе Шота къытеувыIащ демократие хабзэм тету екIуэкIа хэхыныгъэхэм я ужькIэ, Куржым политикэ щытыкIэм зэрызыщихъуэжам, я къэралым граждан жылагъуэ зэрыщызэтеувам. — Урысей-куржы зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэжыным, Саакашвили и хьэмтетыгъуэм яIэщIэкIа щыуагъэ инхэр гъэзэкIуэжыным нобэ властыщIэм къаруушхуэ ирехьэлIэ. А лэжьыгъэр хабзэм тету яунэтI, цIыхухэр дэзыкъузэ, абыхэм я хуитыныгъэхэр къызэпызыуд законхэр якъутэж, щIэхэр къащтэ. КъэралщIыб политикэм и гугъу тщIымэ, ар езы Куржым къыхихыжыну икIи иубзыхужыну хуитщ. Мыбдежым япэ игъэщыпхъэр ди шынагъуэншагъэм шэсыпIэхэр къыхузэзыгъэпэщ Iуэхугъуэхэрщ. Иужьрей илъэсхэм Куржыр щытыкIэ хьэлъэм къихутащ. Нобэрей властымрэ граждан жылагъуэмрэ абы зегъэхъуэжыным хэкIыпIэ езэгъ- рабгъухэр къыхуалъыхъуэри, ар дыдоIыгъ. Ди зэпыщIэныгъэхэр зэтеублэжыным граждан, жылагъуэ, щэнхабзэ, цIыхубэ зэхущытыкIэхэр лъабжьэ хуэщIыпхъэщ. Урысейм дэрэгъу дыхуэхъужын, и рынокым дыхыхьэжын щхьэкIэ, икъукIэ лэжьыгъэшхуэ къытпэщылъщ. Абы папщIэ, политикэ, дипломатие зэхущытыкIэхэр егупсысауэ дыунэтIын, гъэтIылъыпIэ зимыIэ Iуэхухэр зэпэшэчауэ зэфIэтхын хуейщ, — къыхигъэщащ Апхаидзе Шота. ИужькIэ хьэщIэхэм университетым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ я упщIэхэм жэуап иратащ, хэгъэрейхэм я Iуэху еплъыкIэхэр зрагъэщIащ. Дыгъуэпшыхь ахэр журналистхэм яхуэзащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щалъэгъуахэр, зыхэта зэIущIэхэр къазэрыщыхъуахэр хуаIуэтащ. Куржым къикIахэр, къищынэмыщIауэ, гуапэу щрагъэблэгъащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэмрэ ЩэнхабзэмкIэ фондымрэ. Абыхэми псалъэмакъ щхьэпэ щекIуэкIащ. Хьэжыкъарэ Алик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25586.txt" }
Нобэ 1945 гъэм Мэсей Аслъэнджэрий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. Алтай Республикэм и къалащхьэ Горно-Алтайск илъэс 85-рэ ирокъу. 1943 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къыдигъэкIауэ щытащ «Маршалым и вагъуэ» дамыгъэр къэщтэным теухуауэ. Ар иратырт топгъауэ, хьэуа, бронетанк дзэхэм я маршалхэм. Урысейм и ЖылэгъэкIхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм и III съезд Москва щекIуэкIынущ. Шэрджэс сурэтыщI Мэзукъэбз Хьэзрэт и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. УэрэджыIакIуэ, Урысей Федерацэмрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ артист Гъуэт Хъусин и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 — 5, жэщым 0 — 2 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25588.txt" }
Къанокъуэ Арсен зи цIэр нэхъыбэрэ къраIуэхэм ящыщщ «МониторингымкIэ лъэпкъ къулыкъущIапIэм» «Регниум» хъыбарегъащIэ агентствэм папщIэ игъэхьэзыращ 2013 гъэм и щIышылэ мазэм УФ-м и субъектхэм я медиа-рейтингыр. Абы ипкъ иткIэ къэралым и щIыналъэ 83-м я унафэщIхэм я деж Къанокъуэ Арсен 21-нэ увыпIэр щиубыдащ. Рейтингыр зэхалъхьащ федеральнэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэу 500-м щIигъум, щIына- лъэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэу 5000-м къытрадзахэм япкъ иткIэ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25590.txt" }
IэщIагъэр лей хъуркъым ИгъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкI IэщIагъэ дахэхэм ящыщщ арджэн щIыныр. Мы Iуэху мытыншым и щэхур зыхъумэфауэ нобэ щыIэр цIыху закъуэтIакъуэщ. Абыхэм хабжэ Мэзло Руслан. Куэд щыгъуазэщ мэзлом и IэдакъэщIэкI телъыджэхэр Москва къалэм, Дагъыстэным, хамэ къэралхэм зэрыщагъэлъэгъуам икIи, гулъытэ хэха къызэрыщыхуащIам. Абы и зи чэзу выставкэр мы махуэхэм Шэшэным щокIуэкI. Зыкъом щIауэ шэшэнхэр лъаIуэрт и арджэнхэр ишэу я щIыпIэм щигъэлъэгъуэну. Мэзлом ахэр игъэщIэхъуакъым, икIи Iэмал иджыт щигъуэтари, гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ. Абы цIыху куэд къокIуалIэ. Выставкэм арджэну 30-м нэс щагъэлъагъуэ. Лэжьыгъэхэр жанр зэхуэмыдэхэм иту IэщIагъэлIым зэригъэзэщIам ахэр нэхъри щIэщыгъуэ пщещI. Шэшэным иригъэшахэм яхэтщ ди щIыпIэм зэи щимыгъэлъэгъуа лэжьыгъэщIэхэри. «Иджырей интерьерхэм сыт и лъэныкъуэкIи хэзагъэ арджэн лIэужьыгъуэхэм иужьрей зэманым нэхъ селэжьащ. Гу зэрылъыстамкIэ, абыхэм цIыхухэр иджыпстукIэ нэхъ дахьэх», — жеIэ IэщIагъэлIым. Нобэ Мэзлор дэзыхьэх Iуэхум и мыхьэнэуэ ибжыр лъэпкъ тхыдэм и зы Iыхьэу къалъытэ IэпщIэлъапщIагъэр хъума зэрыхъуамрэ ар бэм IэщIыб зэрамыщIымрэщ. Лъостэн Музэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25594.txt" }
Сыжажэ Альберт и цIэр фIащащ Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда, милицэм и полковник Сыжажэ Альберт и цIэр фIащащ ПсыкIэху къуажэм дэт курыт еджапIэм. Абы теухуа Iуэхугъуэм хэтащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Васильев Сергей. КъБР-м щыIэ МВД-м уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Альберт 2011 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м и жэщым бзаджащIэхэр IэщэкIэ къыщытеуам, Бахъсэн къалэм щыхэкIуэдащ. Абы и фэеплъым пщIэ хуащIу зэхыхьэм кърихьэлIащ Альберт и Iыхьлыхэр, благъэхэр, къыдэлэжьахэр, къуажэгъухэр. — Нобэ дэ къызэIудох ди ныбжьэгъум и фэеплъ пхъэбгъур. Абы къулыкъу хуищIащ и Хэкум, и республикэм щыпсэухэм я мамырыгъэр ихъумащ. Дэ щапхъэ ятетхын хуейщ апхуэдэ офицерхэм, ипэжыпIэкIэ ахэращ къэралыр зэтезыIыгъэр, — яжриIащ къызэхуэсахэм Васильевым икIи Альберт и анэ Женя, абы и егъэджакIуэхэм апхуэдэ цIыху нэс зэрагъэсам папщIэ фIыщIэ яхуищIащ. ПсыкIэху къуажэм дэт курыт еджапIэм и щIыхьэпIэм мемориал пхъэбгъур къыщызэIуахащ министр Васильев Сергейрэ Альберт и къуэш Сыжажэ Ахьмэдрэ. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм Хъыбархэмрэ жылагъуэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и IэнатIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25597.txt" }
Дэрэжэгъуэрэ гуфIэгъуэрэ къызыбгъэдэкIхэр «Мамырыгъэм и макъамэ» дунейпсо псапащIэ Iуэхум хэту ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым щатащ зи IэщIагъэм хуэIэзэхэм я дерсрэ концертрэ. Немцовэ Марие Ар я жэрдэмщ дунейпсо зэпеуэ зыбжанэм я лауреатхэу Немцовэ Мариерэ (фортепианэ) Ватуля Виталийрэ (саксофон). Къыхэгъэщыпхъэщ, Мариерэ Виталийрэ мыпхуэдэ IуэхукIэ Урысейм и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм, Беслъэн, Тбилиси къалэхэм, Косовэ республикэм, Тунисым, нэгъуэщI щIыпIэхэми зэрыщыIар. Зауэ, гузэвэгъуэ зи нэгу щIэкIа цIыхухэр щыпсэу щIыпIэхэр къыщIыхахар абыхэм я гукъеуэр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми макъамэкIэ ящхьэщыхынырщ, гъуазджэм зи гъащIэр езыпха щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я Iэзагъым хэзыгъэхъуэн дерсхэм щIэгъэдэIунырщ. Ватуля Виталий МГИМО-м и Музыкэ колледжыр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. 2004 гъэм «Классическое наследие» зэгухьэныгъэм и стипендиат хъуащ. «Еврооркестрия» (Франджы, 2005 гъэ), «Славянская весна» (Прагэ, 2006 гъэ), «Примавера классика», «Возрождение» (Москва, 2007 гъэ), «Форум классики» (Москва, 2008 гъэ), «SaxArte» (Италие, 2010 гъэ), «Река талантов» (Санкт-Петербург», 2010 гъэ) фестивалхэм хэтащ. Франджым, Италием, Чехием, Украинэм, Урысейм щекIуэкIа дунейпсо зэпеуэхэм я лауреат хъуащ. МузыкэмкIэ Урысей Академиер Виталий къиухащ 2011 гъэм. Ар концертхэм жыджэру хэтщ, Урысейм и симфоние оркестр цIэрыIуэхэм я гъусэу. 2005 гъэ лъандэрэ ныбжьыщIэхэр саксофоным хурегъаджэ. И гъэсэнхэм яхэтщ дунейпсо зэпеуэхэмрэ фестивалхэмрэ я лауреат хъуахэр. Виталий и япэ дискыр 2007 гъэм къыдэкIащ. Абы егъэзащIэ классикэ, иджырей, джаз макъамэхэр. Немцовэ Мариерэ Ватуля Виталийрэ Пианисткэ Немцовэ Марие макъамэм япэ лъэбакъуэ щыхичар «Радость» студиеращ. ИужькIэ музыкэ школым щIэтIысхьащ. Абы здыщеджэм, концертхэм хэтыну ирагъэблагъэрт. Илъэс 13 хъууэ щIэтIысхьащ Москва дэт Къэрал консерваторэм и музыкэ училищэм, Слесарев Юрий и гъэсэну щытащ. 2002 гъэм Серебряков Павел и цIэкIэ Волгоград щекIуэкIа дунейпсо зэпеуэм и саугъэтыр къыхуагъэфэщащ. Училищэ нэужьым Немцовэр щIэтIысхьащ Чайковскэм и цIэр зезыхьэ консерваторэм (Москва). Урысейм, Германием, Австрием, Великобританием, Польшэм, США-м, Италием концертхэр щитащ, дунейпсо макъамэ фестивалхэми я лауреатщ. Консерваторэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Немцовэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Великобританием, итIанэ Италием кIуащ. 2009 гъэм Италием, Австрием щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэхэм я лауреат хъуащ. Немцовэ Марие ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым щита дерсыр фортепианэм хуеджэ студентхэм дежкIэ куэду щхьэпэщ. Марие къыхигъэщащ фортепианэм хуеджэ студентхэм зэфIэкI хъарзынэхэр къызэрагъэлъэгъуар, я Iэзагъэм дяпэкIи хагъахъуэмэ зэригуапэр. Пшыхьым кърихьэлIахэр. Немцовэ Мариерэ Ватуля Виталийрэ институтым пщыхьэщхьэм щата концертыр кърихьэлIахэм гукъинэж ящыхъуащ. Пианинэмрэ саксофонымрэ фIыуэ зылъагъухэм а пшыхьым къарита дэрэжэгъуэр къэIуэтэжыгъуейщ. Абы щагъэзэщIащ Рамо Жан Филипп, Рахманинов Сергей, Скрябин Александр, Лигети Дьёрдь, Декрюк Фернанд, Санкан Пьер, Мийо Дариюс, нэгъуэщIхэми я макъамэхэр. ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25601.txt" }
Дахагъэр зи IэрыкI «Заповедная Кабардино-Балкария» фIэщыгъэ иIэу иджыблагъэ Лъэпкъ музейм (Налшык къалэ) гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт къыщызэIуахащ. Сурэттех Щоджэн Жаннэ ди щIыпIэм и дахагъыр къызэригъэлъагъуэ сурэтхэм ящыщу 100-м щIигъу щызэхуэхьэсащ абы. Жаннэ цIыху емызэшыжщ, хахуагъэ зыхэлъщ хужыпIэныр егъэлеякъым, сурэтхэм я нэхъыбэр щытриха щIыпIэхэм зэрыщызекIуэгъуейр, зэрышынагъуэр къэплъытэмэ. Зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу, куууэ абы хэзыщIыкI бзылъхугъэр щолажьэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм. Лъэпкъым и фIыгъуэр хъума хъун, ди республикэр куэдым къацIыхун папщIэ абыхэм лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. Мы тхылъ тедзапIэм къыдигъэкI тхылъхэмрэ альбомхэмрэ купщIафIэщ, лъэпкъым и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къыщыгъэлъэгъуащ. Щоджэн Жаннэ игъэлъагъуэ сурэт псоми сфIэгъэщIэгъуэну сакъыбгъэдэувыIэурэ сеплъащ. Iуащхьэмахуэ «къызыхуеплъых» ди бгы уардэхэр, абыхэм къащхьэщыт уафэ къащхъуэр, щIылъэ щхъуантIэр, аузхэр, шылэ хъару къыр задэхэм теубгъуа псыкъелъэхэр, удз гъэгъа хьэлэмэтхэр… нэр пIэпызымых яхэткъым. ГукъэкIыж куухэм сыхашащ шы дахэхэр зэрыт сурэтхэм. ЦIыхум дэIэпыкъуэгъуи ныбжьэгъуи хуэхъу а псэущхьэр сэ фIыуэ щыслъэгъуар зэманкIэ къысхуэщIэжыркъым, апхуэдизкIэ куэд щIащи. Къэжэр Индрис и «ПыIэ гъуабжэ плъыфэ» уэрэдыр пшынэкIэ еуэу си анэм щыжиIэрат е колхозхэр щызэхагъэхьам щыгъуэ зэхалъхьа уэрэдыр щызэхэсхарауэ пIэрэт? «КIэфо ЖэбрэIилым шыгъуэ кIэху зэрехуэ, сомищэ кIэхум фещэурэ, колхоз фыхъуащ», — мы сатырхэр си гум къридзэжащ дакъикъэкIэ. Хьэмэ, си анэ дэлъху Рэмэзан иIа шырауэ пIэрэт?.. А шыр Iэсэт, сыщыцIыкIурати, абы и лъабжьэм сыщIэжу сыджэгурт, зэи къызжьэхэуакъым, уеблэмэ абы сыщытрагъэтIысхьаи къэхъуащ. Си сабиигъуэм щыщ Iыхьэ гуэр, мащIэми, сигу къэзыгъэкIыжа сурэтхэр зи IэдакъэщIэкI Жаннэ сохъуэхъу гъащIэ дахэ иIэну, и гукъыдэжыр мыкIуэщIу псэуну. КIЭФО Сталинэт.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25610.txt" }
Абыхэм я зэхэтыкIэр ЩытекIынур дапщэщ? Куржым кIуэ пэтми нэхъ текъузауэ къыщагъэув президент Саакашвили Михаил и къулыкъум текIын хуейуэ. Оппозицэм жеIэ: «Президентыр и къулыкъум къытенэмэ, цIыхухэм зыкъаIэтынкIэ хъунущ». Куржы жылагъуэм щыщ Iыхьэм къелъытэ президент хэхыныгъэр щекIуэкIыну жэпуэгъуэр мыхъуу, «Мишико» иджыпсту политикэ утыкум икIын хуейуэ. Къэралым и телекомпаниехэм я лIыкIуэхэм щахуэзам, Саакашвили жиIащ «политикэ щытыкIэр зэIыгъэхьэным хуэгъэзауэ зы Iуэху гуэри зэримылэжьыр». ЦIыхубэм дзыхь яхуищIащ властыр зыIэрыхьахэм икIи сэ си мурадкъым абыхэм лъакъуэпэщIэдз яхуэсщIыну», — къыхигъэщхьэхукIащ абы. Франджым хуеижкъым Франджым и президенту щыта Саркози Николя и мурадщ «къулейхэм налогыу хуагъэува» процент 75-м «щIигъэIа» актер Депардье Жерар хуэдэу къэралым иIэпхъукIыну. Ауэ Николя къыхихар Урысейр-къым, атIэ Инджылызырщ. Нэгъабэ и мэкъуауэгъуэм президент къулыкъум пагъэкIа Саркози и мылъкур Лондон игъэIэпхъуэну яужь итщ, абы налогыр щынэхъ мащIэщи. Нэхъапэм хъыбар къэIуауэ щытащ мылъку зэрызрилъэфэлIамкIэ, апхуэдэу компание гуэрым и Iэтащхьэ Бетанкур Лилиан хабзэншагъэкIэ ахъшэ къызэрыIихамкIэ ягъэкъуаншэу Саркози хуэгъэза Iуэху къаIэтауэ. Мис ар абырэ и щхьэгъусэ Бруни Карлэрэ зэран къахуэхъункIэ хъунущ Лондон и Кенсингтон хьэблэ зыкъизыхым IэпхъуэнымкIэ. ЗэрыжаIэмкIэ, абыхэм а щIыпIэм щIапIэ къыщащэхуащ. ИужькIэ прессэм хэIущIыIу ищIащ Саркози Лондон инвестицэ компание къыщызэIуихыну, а Iуэхум доллар мелардрэ мелуан 300-рэ хилъхьэну зэримурадым теухуа хъыбарыр. А псом и щIыIужкIэ, президентым шэч хуащI 2011 гъэм Пакистаным и Карачи къалэм щалэжьа террорист щIэпхъаджагъэм ехьэлIауэ пцIы иупсауэ. «Эхо планеты».
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25612.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, гъатхэпэм и 4 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Iуэху еплъыкIэ» (адыгэбзэкIэ) (+12) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.10 «Дар фантазии». Сабий модэм и театру Налшык гъуазджэхэмкIэ и еджапIэ №1-м деж щылажьэр (6+) 8.40 «Зэчийр и Iэпэгъуу». СурэтыщI Зэхъуэхъу Валерэ (12+) 8.50 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.20 «КикбоксингымкIэ КъБР-м и кубок»». Репортаж (12+) 19.25 Мультфильм (6+) 19.35 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». КъБР-м и цIыхубэ артист Думэн Мурадин (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.10 «Шэрджэсхэм я дуней». Сабий, ныбжьыщIэ творчествэм и республикэпсо фестиваль-зэпеуэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.40 «ТВ-галерея». Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и актрисэ Кравцовэ Наталье (12+) 21.10 «ЦIыху». Авиацэм и ветеран Хоханаев Хьэким (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, гъатхэпэм и 5 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Псынэхэр». Тырку-месхетин лъэпкъ-щэнхабзэ центрыр (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Усэхэр зэрыт тетрадь». Бицу Анатолэ (16+) 8.20 «Нобэ, пщэдей…». Бахъсэн район сымаджэщыр (адыгэбзэкIэ) (16+) 8.45 «Ди щIэин». Отаров Керим и цIэр зезыхьэ балъкъэр щэнхабзэ центрыр (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 9.15 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. Япэ Iыхьэ (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.25 «Динамо» спорт клубым дзюдомкIэ пашэныгъэр къэхьыным теухуауэ иригъэкIуэкIа зэпеуэ. Репортаж (12+) 19.25 Мультфильм (6+) 19.45 «Джэрпэджэж» («Эхо»). Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.20 «Налшык зауэ щIыхьым и къалэщ». Телефильм (12+) 20.55 «Тайм-аут» Спорт тележурнал (12+) 21.10 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, гъатхэпэм и 6 7.00 Мультфильм (6+) 7.05 «Ди псэлъэгъухэр». Бын куэд зиIэ Щэрдан ФатIимэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Фэр папщIэ». Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэхэм я концерт (адыгэбзэкIэ) (16+) 8.35 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 8.50 «Унагъуэ». Энеевхэ я унагъуэр. Налшык къалэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 9.20 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 18.00 КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ и гуфIэгъуэ пшыхь (12+) 19.25 «Ди псэлъэгъухэр». Жэмтхьэлэ Ищхъэрэ къуажэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Къэгъэзэж СулътIан (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.55 «КъэкIуэнур зейхэр». Хэкур фIыуэ ялъагъуу гъэсэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.15 «ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу» (12+) 20.30 «Курп лъагапIэхэр». Хэкур фIыуэ ялъагъуу щIэблэр гъэсэнымкIэ КъБР-м и РОСТО ДОСААФ-м иригъэкIуэкIа Iуэху (12+) 21.00 «ЩIэныгъэм ухуэзышэ гъуэгу». Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Хучунаев Бузжигит (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, гъатхэпэм и 7 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «ГъащIэм и еджапIэ». Лэжьыгъэм и ветеран УнащIэ Розэ (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Чемпионхэр». Белгъэрокъуэ Хьэжсет (12+) 8.20 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.40 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.00 «IэпщIэлъапщIэм и дерс ». Урысейм и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ Бачиев Хьэмзэт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.15 «Дыщэ микрофон». Кавказым и макъамэ саугъэт нэхъыщхьэр щат зэIущIэм. ПэщIэдзэр (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 «У расставания соленый вкус». Созаев Ахъмэт и поэмэм къытращIыкIа телепостановкэ 18.40 «Чемпионхэр». СССР-м физкультурэмкIэ и отличник Метревели Пётр 19.25 Мультфильм 19.45 «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «Лъэпкъым и набдзэ». Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.20 «Гум и къеуэкIэ». СурэтыщI Сарбашев Азнор и сурэтгъэлъагъуэм къратыкI репортаж (балъкъэрыбзэкIэ) 20.40 «Республикэм хуэгъэзауэ». Шэрэдж район администрацэм и Iэтащхьэ Темиржанов Махъты (16+) 21.10 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». Доктор Ирене Сакинэ Швеерс (Германие) (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, гъатхэпэм и 8 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Унагъуэ». Шэрыбхэ я унагъуэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.25 «КъызыхуигъэщIар». Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къулътырбей Хъусен (12+) 8.55 «Илъэсхэмрэ уэрэдхэмрэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.25 «Дыщэ микрофон». Кавказым и макъамэ саугъэт нэхъыщхьэр щат зэIущIэм. КIэухыр (12+) 16.15 Мультфильм (6+) 16.30 «Ретроспектива». «Ты почему, печаль, ко мне пришла?..» Литературнэ-макъамэ композицэ (16+) 17.00 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 17.25 «Лъагъуныгъэм и макъамэ». Лирикэ уэрэдхэм я концерт. Япэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 18.15 «ЛИК». Тележурнал (16+) 19.15 «Ди псэлъэгъухэр». КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Болэт Арсен (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.40 «Зи чэзу псалъэмакъ». Балъкъэр лъэпкъыр щрашым хэкIуэдахэм я фэеплъ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.10 КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Бапинаев Зариф (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.40 «Нэхъ лъапIэ дыдэ». ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу (12+) 21.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.55 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, гъатхэпэм и 9 7.00 Мультфильм 7.10 УсакIуэ-зэдзэкIакIуэ Пряжников Александр (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 7.05 «Гум къикI уэрэдхэр». Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэ Хьэкъул Оксанэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.40 «Зэчиймрэ Iэзагъэмрэ». ГИТИС-м и балъкъэр студиер япэу къэзыуха гупым ятеухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.10 Мультфильм 16.35 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. Еханэ Iыхьэ (12+) 17.15 «Ди псэлъэгъухэр». «Владикавказ» псыщIагъырыкIуэ кхъухьым и къудамэм и унафэщI Къэлэжьокъуэ Артур (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.45 «Музыкант». УФ-м и цIыхубэ артисткэ Къашыргъэ КIурацэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.25 « Республикэм щыхъыбархэр» (адыгэбзэкIэ) 18.40 «Псори цIыхухэм къахуонэ». Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Къумахуэ Башир къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу (12+) 19.10 Iуащхьэмахуэ лъапэ япэ кIапсэ гъуэгур къызэрызэ- Iуахрэ илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу. «ФIыуэ слъагъу Чегет» (12+) 19.30 Дунейпсо зэпеуэхэм щытекIуа Шахгалдян Карэн (скрипкэ) дыIуощIэ (12+) 20.00 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 20.20 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 20.35 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 10 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Автограф». УэрэджыIакIуэ ПащIэ Алим (12+) 7.40 « Республикэм щыхъыбархэр» (адыгэбзэкIэ) 7.55 «IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэ». ТIэхъу Мухьэжид. Къэхъун къуажэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.25 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 8.40 «Дыгъэм и деж хьэщIапIэ». Шаурдат къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.50 Мультфильм (6+) 17.10 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. Ебланэ Iыхьэ (12+) 17.50 «ЩIэныгъэлI». Химие щIэныгъэхэм я доктор Шурдым Барэсбий (адыгэбзэкIэ) (16+) 18.15 «Гъуэгуанэ дахэ». «Iуащхьэмахуэ» журналыр къызэрыдэкIрэ илъэс 55-рэ щрикъум ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.45 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт-нэгузегъэужь программэ (6+) 19.05 «Зэманым екIуу» (16+) 19.30 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». Лакъунхэ Салимрэ Зауррэ ятеухуауэ (12+) 20.00 Журналист, композитор Этчеев Музэфар и ныбжьыр илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу. «Сэлам алейкум, Музэфар!» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр». КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, гъатхэпэм и 4 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 21.15 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр Гъубж, гъатхэпэм и 5 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 9.30 «Макъамэ пощт» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 УФ-м и цIыхубэ артист, композитор Къардэн Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъум и щIыхькIэ екIуэкIа гуфIэгъуэ пшыхьым къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) Бэрэжьей, гъатхэпэм и 6 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 Ток-шоу «Адэхэмрэ бынхэмрэ» Махуэку, гъатхэпэм и 7 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIахэр» 9.30 «Макъамэ пощт» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбар- хэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэ-кIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 20.40 «Дыгъэ бзийхэм хэсыхьу». ««Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и журналист Геккиев Къазбэч и фэеплъу 21.10 «ЦIыхумрэ зэманымрэ». Хэкур залымыгъэкIэ зрагъэбгынахэм ятеухуауэ къыргъыз тхакIуэхэм жаIахэр Мэрем, гъатхэпэм и 8 Лажьэркъым Щэбэт, гъатхэпэм и 9 8.10, 11.15, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIхэр» 10.40 «Макъамэ пощт» Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 10 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр КъБР-м и радио Блыщхьэ, гъатхэпэм и 4 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00 «Гум и къеуэкIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Макъамэм и толъкъунхэм» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, гъатхэпэм и 5 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.53/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 Классикэ макъамэм и концерт (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.35 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, гъатхэпэм и 6 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Тхылъым дыщогуфIыкI» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «ЦIыхухэмрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Гухэлъ уэрэдхэм я концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, гъатхэпэм и 7 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.0, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «КIэщIу — нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 Макъамэ пьесэхэр (урысыбзэкIэ). 9.34/17.42 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.44/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 «Уэрэдыжьхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Макъамэм и толъкъунхэм» (урысыбзэкIэ). 12.25 «Дэтхэнэри щIыхьэну хуит ящI» (урысыбзэкIэ). 14.05 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, гъатхэпэм и 8 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «Уэрэдым и макъамэр нэщхъейщ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Узымрэ фэеплъ нэхумрэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/16.35 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, гъатхэпэм и 9 7.00/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «ЛIэщIыгъуэхэм зэIэпахыу» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Гупсэхугъуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Макъамэм и толъкъунхэм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжхэр» (урысыбзэкIэ). 10.00 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.30 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 10 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Макъамэм и толъкъунхэм» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ). 10.40 — 10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35 «УсакIуэмрэ уэрэдымрэ» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25617.txt" }
Ар цIыху псэ къабзэт ЩIэныгъэлI, политик щыпкъэ, жылагъуэ, лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и ректору илъэс куэдкIэ щыта, профессор, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Жэрыкъуэ Борис Хьэжмурат и къуэр ящыщщ къыщалъхуа щIыпIэм, хэкум я ехъулIэныгъэр зи плъапIэу дунейм тета цIыхухэм. КъБР-м и Парламентым и депутату, егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ комитетым хэту, ар и пашэт «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм щиIэ лIыкIуэ гупым. Апхуэдэу Жэрыкъуэ Борис КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэм я коллегиехэм жыджэру хэтащ, бгъэдэлъ щIэныгъэ куумрэ зэфIэкI лъагэмрэ IэнатIэхэр егъэфIэкIуэным хуигъэлажьэу. УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъи 140-м щIигъу зи къалэмыпэм къыпыкIа щIэныгъэлI цIэрыIуэр мызэ-мытIэу ягъэпэжащ УФ-м, КъБР-м я министерствэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмкIэ, «Урысейм и мэкъумэш IэнатIэм и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» дыщэ медалыр къратащ. ЗэгурыIуэныгъэр, зыужьыныгъэр зи гъащIэ мардэу щыта цIыху щыпкъэр и гурылъ псоми хунэсакъым. 2012 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м ар гуузу дунейм ехыжащ. Дзыхь къыхуащIа дэтхэнэ IэнатIэми щхьэкIэ жэуаплыныгъэ зыхэзыщIэу лэжьам, цIыху псэ къабзэм къигъэщIа мащIэр щапхъэщ абы къыдэлэжьахэм, иригъэджахэм, ныбжьэгъуу иIахэм, зыцIыхуу щытахэм я дежкIэ. Псэужамэ, абы и ныбжьыр мазаем и 28-м илъэс 55-рэ ирикъунут. Жэрыкъуэ Борис Хьэжмурат и къуэм ехьэлIа гукъэкIыжхэмкIэ нобэ къыддогуашэ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Жылэтеж Сэлэдин Хьэмзэт и къуэр. Жэрыкъуэ Борис. 2002 гъэ ФIыуэ тлъагъу ди Iыхьлыхэм дащегупсыскIэ, гу лъыдмытэу къанэркъым абыхэм адрейхэм тфIефIэкI, ди псэм нэхъ пэгъунэгъу зэрахэтым. Апхуэдэу, си шыпхъум и къуэ Жэрыкъуэ Борис хэт нэхъри нэхъыфIу слъагъурт сэ. Езыми гурэ псэкIэ сызыхищIэрт, «гурэ гурэ лъагъуэ зэхуаIэщ» зэрыжаIэм ещхьу… Дызэгъунэгъут, дызэрылъагъурт… НэгъуэщI къуэши сиIэщ, Тхьэм и фIыщIэкIэ, атIэми си адэм и лъэныкъуэкIи си анэмкIэ къэзубыдхэми псом нэхърэ си дежкIэ нэхъыфIми ярейт Борис. Уи дзыхь зэбгъэз хъу, уи гумрэ уи псэмрэ зыхузэIупхыф цIыхут си шыпхъум и къуэр. Сыкъыщалъхуа махуэр къыщыздимыгъэлъэпIа е къыщIызэхъуэхъун щхьэусыгъуэ игъуэту Борис ар щыблигъэкIа зэи къэхъуакъым. Си нэгу къыщIохьэж иджы апхуэдэ махуэхэр. Нэжэгужэу, гуфIэгъуэр и нэгум кърихыу, и щхьэгъусэфIымрэ я бынхэмрэ щигъусэр нэхъыбэу, Борис къытхуеблагъэрт, сигъэгушхуэну, сигъэлъэпIэну. къызытекIухьа Iуэхур езыхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ гуфIэгъуэ махуэу къыпщагъэхъун яхузэфIэкIырт а унагъуэ дахэм. Апхуэдэу фIыуэ сыкъызэралъагъур зыхызагъащIэрт, гурэ псэкIэ спэгъунэгъу Iыхьлы сызэриIэр къызагъэщIэжырт. И ныбжьэгъухэм я гъусэу. 2007 гъэ ЦIыхум и гъащIэм куэд щелъытащ езым и Iыхьлы дыдэхэм, и унагъуэм, къыдалъхуахэм зэрахущытым. Борис абыхэм ящыщ дэтхэнэми лъагъукIэ хэха яхуиIэт. Зыми и жагъуэ ищIынутэкъым, псоми яхуэгумащIэу, псэкIэ фIыуэ зэрилъагъур зыхригъащIэу апхуэдэт. Абы къыхэкIкIи, зы махуэ цIыхуншэ хъуртэкъым а унагъуэр. Борис хэмыIэбауэ зэфIэмыкIын Iуэху псоми яIэу къызэращыхъум и мызакъуэу, а цIыху угъурлым и чэнджэщи абы хэлъын хуейуэ ябжырт. Ар Iыхьлы гъунэгъу дыдэу ялъытэрти, зым и дзи шыртэкъым абы елъэIуну. «Абы щхьэкIэ умыгузавэ, ар сэ пхузэфIэзгъэкIынщ», — арат Борис жэуапу яритыжыр апхуэдэхэм икIи, гъэщIэгъуэнратэкъэ, къыщIигъэгугъар игъэтэмэмырт. «Дауэ къехъулIэрэт си шыпхъум и къуэм а къомыр?» — згъэщIагъуэрт сэ. Алыхьыр къыдэIэпыкъурт а цIыху псэ къабзэу зи гур цIыхухэм яхузэIухам. Студенту щыщытам. 1977 гъэ И унагъуэм щIэсхэми гуапэ дыдэу яхущытащ Борис. Щхьэгъусэм худичыхырт, бынхэм ящысхьырт. ЯхуэткIийтэкъым икIи яхуэпхъашэтэкъым, фIы псори абыхэм ялъигъэсыну щIэхъуэпсырт. Борис и щхьэгъусэ Оксанэ экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ, ПотребкооперацэмкIэ Белгород университетым Налшык щиIэ къудамэм и профессорщ. Сабий дыгъищ зэдагъуэтащ, зэдапIащ абыхэм. Быным я нэхъыжь Аллэ унагъуэщ, щIэныгъэхэм я кандидатщ. Абы къыкIэлъыкIуэ Алим мы гъэм университетыр къеух. ЩIалэ нэхъыщIэ Чэлимэт иджыри школакIуэщ. Зыдэс хьэблэм дэзагъэу, пщIэ щаIэу, гъунэгъухэм яхуэфIу икIи къахуэфIу апхуэдэщ а унагъуэ дахэр. Егъэлеяуэ хуэщабэт, хуэгумащIэт Борис и анэм. Къэхъуакъым абы и псалъэр тIу щищIа. зэгуэрым анэр къуэм еупщIат: «НэщI мазэр къэсащ, си щIалэ. УнэщIыфыну пIэрэ?» — «СынэщIын дэнэ къэна, си анэ, уэ уи гуапэ хъуну, укъысхуэарэзыну сщIэмэ, къурIэныбзэри зэзгъэщIэнущ», — зишийри анэм IэплIэ иришэкIат. «Сыпхуэарэзыщ. Къанэ щымыIэу сыпхуэарэзыщ», — и жэуапт анэм… Апхуэдэт ар: псэ зэIуха зиIэ цIыху щабэт. Дэтхэнэ лъэпкъми къыхокI цIыху, зэунэкъуэщхэм я тхыдэм дихьэхыу, ар къихутэу, лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэр къэзыIуатэ къэхъукъащIэхэр зэхуихьэсыжу. Борис апхуэдэт. Абы фIыуэ хищIыкIырт Жэрыкъуэхэ я лъэпкъ тхыдэм, лъыкIэ къыгухьэ псори ицIыхуну, игъэблэгъэну, игъэIыхьлыну хущIэкъурт. А и хьэл дахэм щхьэкIэ абы «благъэ мыгъэкIуэдкIэ» деджэрт. Апхуэдэу си анэр и пхъурылъхум зэрыцIыкIурэ МухьэмэдкIэ еджэрт, зи цIэр дахэ, зи пщIэр лъагэ Бегъымбарым иригъэщхьу. Жэрыкъуэ Борис бгъэдэлъ щIэныгъэ куум, ар УФ-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я щIэныгъэлIу зэрыщытам куэд тепсэлъыхьащ. Илъэс 20-м нэскIэ ар щылэжьащ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт еджапIэм. Абы щыщу илъэс 12-кIэ и унафэщIу щытащ. Къыдэлэжьахэм ящыщ куэд щыхьэт тохъуэ Борис цIыху гуапэу, вэгъзэгъыу, зыхэт гупыр къигъэдэIуэфу, езыри чэнджэщэфу зэрыщытам. Политикэми экономикэми хуабжьу дахьэхырт Борис. КъищынэмыщIауэ, бгъэдэлъ философие гупсысэ куухэмкIэ куэдым ядэгуэшэфырт. А унэтIыныгъэхэм ятеухуа и тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт газетхэм, журналхэм. ЩIэныгъэлIым и къалэмыпэм къыпыкIа тхылъхэмкIэ йоджэ УФ-м мэкъумэш щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэ зыбжанэм я студентхэр. А псоми зыкъыдигъахуэурэ, абы зэман къигъуэтырт адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыгъуазэ зыхуищIыну. Борис фIэфIт ЩоджэнцIыкIу Алий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, IутIыж Борис сымэ я усэхэр. Абыхэм ящыщ куэди гукIэ ищIэрт, жиIэни фIэфIт. «Сэ сылIат» зыфIэсща си рассказ гуэрым и гугъу куэдрэ къысхуищIырт абы. ИщIэмэ фIэфIт ар си бынхэм, щхьэгъусэм къазэрыщыхъуар. «Дауи, абыхэм я дежкIэ ар гухэщIщ, итIани художественнэ и лъэныкъуэкIэ ар зыхуей хуэзауэ къызолъытэ», — къызжиIат абы. Литературэм къыхыхьэ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм нэгъунэ я творчествэм щыгъуазэ зэрызищIыным пылът Борис. Ахэр абы къриджыкIырт «Iуащхьэмахуэ» журналым, «Адыгэ псалъэ» газетым. Абыхэм Iэ щытрадзэ зэманыр къэса нэужь, мэкъумэш университетым щылажьэхэм абыкIэ защIигъакъуэрт. Къапщтэмэ, 2013 гъэм Жэрыкъуэм и фIыгъэкIэ а еджапIэ нэхъыщхьэм и лэжьакIуэхэм, студентхэм ящыщу 109-м яIэрохьэ «Iуащхьэмахуэ» журналыр. Усэ тхыным дихьэх и лэжьэгъухэм, студентхэм я къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэр зэрыт «Япэ лъэбакъуэ» зыфIаща тхылъи Жэрыкъуэм къахудигъэкIауэ щытащ. ЦIыхум папщIэ псэуа, апхуэдиз IуэхущIафэ дахэ зиIа, зи мурадхэр ин, гупсысэхэр къабзэ цIыху жумартыр пасэ дыдэу дунейм зэрехыжар хуабжьу къызохьэлъэкI. Щхьэтечу жысIэнщи, сэ сыщIэзылъхьэжыну сызыщыгугъари арат… Сыту пIэрэт а цIыху дахэм, псэ къабзэм дилъэгъуар а лIыукIым?! Сыпсэуху, си гум ихунукъым Борис. СощIэ: зыцIыхуу щытахэми ар фIыкIэ я гум куэдрэ илъынущ. Жэнэтыр увыIэпIэ Тхьэм хуищI. Дыпхуэарэзыщ, си къуэш. Алыхьыр арэзы къыпхухъу. ЖЫЛЭТЕЖ Сэлэдин.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25621.txt" }
Хьэрхуэрыгъэр — захуагъэ хэлъу Урысейм и Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъущIапIэм и Къэбэрдей-Балъ-къэр Управленэм и унафэщI Пщыншэ Къазбэч мазаем и 21-м иригъэкIуэкIа пресс-конференцым щызэхилъхьэжащ а IуэхущIапIэм нэгъабэ зэфIигъэкIахэр, апхуэдэу мы гъэм къапэщыт къалэнхэр щи-гъэбелджылащ. IуэхущIапIэм и унафэщI Пщыншэ Къазбэч къопсалъэ. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, гъэ кIуам къэрал унафэкIэ я лъэкIыныгъэм хагъэхъуащ, я зэфIэкIымрэ лэжьыгъэкIэ яIэ хуитыныгъэмрэ зрагъэубгъуащ. Апхуэдэщ нэгъабэ и щIышылэм къару зыгъуэта «Ещанэ антимонопольнэ пакет» жыхуаIэр. Абы хабзэм ебакъуэхэм зэрадэлажьэ щIыкIэр игъэлъэщащ. Къапщтэмэ, рынокым бжьыпэр щызыIыгъ IуэхущIапIэм хабзэм щхьэзыфIэфIагъ хилъхьэмэ, ар пэублэу къызэпаудыну хуитщ. Хуагъэува пIалъэм къитIасэу ныкъусаныгъэр имыгъэзэкIуэжмэ, антимонопольнэ Iуэху къыхузэIуах. Къэбэрдей-Балъкъэрым и антимонопольнэ управленэм и лэжьыгъэм лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ. Хьэрхуэрыгъэм и Iэмалхэм зегъэужьыным, монополистхэм я IуэхущIафэр къыжьэдэкъуэным икIи къызэпыудыным теухуа къэрал политикэр пхыгъэкIыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуещI. Къызэрызэрагъэпэщрэ дэкIа илъэс 20-м щIигъум къриубыдэу зыхущIэкъур хьэрхуэрыгъэр захуагъэ хэлъу зыунэтI хабзэхэмрэ Iэмалхэмрэ зэтегъэувэнырщ. Ар икъукIэ къалэнышхуэщ. Гугъуехь куэд зыпылъхэм ящыщщ рынокым хэтхэр Iуэхузехьэ IэнатIэхэм я реестрым хэгъэхьэныр. Щапхъэхэр мащIэкъым. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Интернет сетым пыщIа Iуэхутхьэбзэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм хьэрхуэрыгъэ IэмалхэмкIэ зэрыща-гъэзащIэм кIэлъыплъа нэужь, а рынокым процент 35-м щIигъу зи Iыхьэу хэлъ «Ростелеком» обществэр антимонопольнэ управленэм Iуэхузехьэ IэнатIэхэм я реестрым хигъэхьащ. АбыкIэ мыарэзыуэ КъБР-м и Арбитраж судми, ЕпщIыкIуханэ арбитраж аппеляцэ судми, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и Федеральнэ арбитраж судми ар тхылъкIэ хуэтхьэусыхати, антимонопольнэ управленэр захуэу къыщалъытащ, и унафэми арэзы щыте-хъуащ. ФАС-м и республикэ къудамэм быдагърэ ткIиягърэ хэлъу и пщэрылъхэр зэригъэзащIэм щыхьэт техъуа апхуэдэ щапхъэхэр мащIэкъым. Пресс-конференцыр щекIуэкIым. — КъытIэрыхьэ тхыгъэхэм я нэхъыбэр теухуащ хьэпшыпхэр щызэблагъэкI рынокым бжьыпэр щызыIыгъ IэнатIэхэмрэ монополистхэмрэ я IуэхущIафэр зыхуэдэм. Апхуэдэ хъыбархэр ди сайтым жыджэру зэрыщызэбгредгъэхым, «Хьэрхуэрыгъэр хъумэным и IуэхукIэ» 2006 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м къыдэкIа Федеральнэ закон №135-ФЗ-р къызэрыгъэсэбэпыпхъэм теухуа хэзыгъэгъуазэ лэжьыгъэм дызэрегугъум и фIыгъэкIэ, организацэрэ цIыху щхьэхуэу зыкъытхуэзыгъазэхэм я бжыгъэм хохъуэ. Отчет лъэхъэнэм къриубыдэу гулъытэ хэха хуэтщIащ Iуэху къахухэдмыгъэкIыу къуаншэхэм я щыуагъэхэр ди нэIэм щIэту зэредгъэгъэзэкIуэжыным, — жиIащ Пщыншэ Къазбэч. — НэгъуэщIхэм я сэбэп зыхэлъхэр къимылъытэу, хэгъэзыхьыныгъэкIэ абыхэм зэгурыIуэныгъэ ещIылIэныр хабзэм къызэремызэгъыр «Газпром — Псыхуабэ щIыналъэ зэхуаку газ» ООО-м тIэунейрэ гурыдгъэIуами, дызэхихакъым. Законыр къызэрызэпиудым къыхэкIыу, абы хуэгъэзауэ зыхуэфащэ Iуэхухэр къэтIэтащ. Япэр, унагъуэхэр газкIэ къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэм теухуа зэгурыIуэныгъэм щыубзыхуахэр хьэрхуэрыгъэр хъумэным и IуэхукIэ Законым и 10-нэ статьям къигъэувхэм зэрыпэщIэуэрт. Зи гугъу тщIы Законым и 39,1-нэ статьям зэрыжиIэм хуэдэу, шыщхьэIум и 1-м ирихьэлIэу зэгурыIуэныгъэм зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэжыну хуэдгъэувами, ар игъэзэщIакъым. Хабзэм щемыдаIуэм, «Газпром — Псыхуабэ щIыналъэ зэхуаку газ» ООО-м хуэгъэзауэ Iуэху къызэIутхри, къуэдыуэ сом мин 300 тетлъхьащ. Урысейм тезырхэр ирегъэхьэкIынымкIэ и къулыкъущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и СИЗО-1 ФКУ-р газкIэ къызэгъэпэщыным теухуа зыуэ щыт къэрал зэгурыIуэныгъэм зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхимылъхьам къыхэкIыу, «Газпром — Псыхуабэ щIыналъэ зэхуаку газ» ООО-м аргуэру къуэдыуэ сом мин 300 тетлъхьащ. Къэралым монополистхэм щытыкIэ гъуэзэджэ къахузэригъэпэщащ, ауэ антимонопольнэ законодательствэр къызэпаудмэ, абыкIэ дэтхэнэми нэсу жэуап ихьыпхъэщ, — къыхигъэщащ Пщыншэ Къазбэч. Властым и IуэхущIапIэхэм я унафэхэм я проектхэм ящыщ куэдми ФАС-м и щIыналъэ къудамэр хоплъэ, антимонопольнэ хабзэм къызэрезэгъыр егъэбелджылы. Абы и IэщIагъэлIхэм къалэ, район администрацэхэм къэпщытэныгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIым и фIыгъэкIэ, щIыпIэ самоуправленэхэм яIэщIэкI щыуагъэхэр ягъэзэкIуэж. Ныкъусаныгъэхэр къагъуэтмэ, Iуэху къызэIуах, ахэр зэрагъэзэкIуэжын хуей щIыкIэр гурагъаIуэ. Зи гугъу тщIы зэманым къриубыдэу, хьэрхуэрыгъэр хъумэным и IуэхукIэ Законым и 15-нэ статьяр властым и къудамэхэм 51-рэ къызэпаудауэ къахутащ. Псоми хэплъэри, зыхуэфащэ тхылъ хуатхащ, ахэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъащ. Апхуэдэу лэжьыгъэм щызэпеуэхэм къащхьэщыжынымкIэ Законым и 17-нэ статьям емызэгъ ныкъусаныгъэу 9 къыщIагъэщащ. ДызэрыщIэупщIам ипкъ иткIэ, Лэскэн муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм къита тхылъым дыщыхэплъэм, псэупIэ щаухуэн папщIэ, щIы Iыхьэр бэджэнду къызэращтэ зэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIэну хуит зыщI аукционыр зэрырагъэкIуэкIынум теухуа хъыбарым щIымкIэ законодательствэм къигъэувхэр нэгъэсауэ къызэрыщамыгъэлъэгъуар къэтхутащ. Абы аукционым хэтыну хуейхэм я хуитыныгъэхэр къызэпиудырт. Зыхуэфащэ тхылъ яхуэттхри, ныкъусаныгъэр едгъэгъэзэкIуэжащ, — къыхигъэщащ республикэм и антимонопольнэ управленэм и унафэщIым. — РекламэмкIэ Законыр къызэпызыудхэм яхуэгъэзауэ нэгъабэ Iуэху 68-рэ къэтIэтащ, 52-м теухуауэ тхылъ 47-рэ дгъэхьэзыращ. ФадэхэкIхэр зыхуэдэр хэIущIыIу зэращIым ехьэлIауэ, «Рекламэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм гъэ кIуам и фокIадэм къару игъуэтащ. Законым и 21-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм и 8-нэ пунктым ипкъ иткIэ, Интернетым и хъыбарегъащIэ-телекоммуникацэ сетым, газетхэм, телевиденэм, пивэри хэту, фадэхэкIхэр рекламэ щащIу ядэркъым. Пщыншэ Къазбэч къызэригъэлъэгъуамкIэ, заказ зытхэм, уполномоченнэ IуэхущIапIэ- хэм, зэпеуэхэр, аукционхэр езыгъэкIуэкI, котировкэ зыщI комиссэхэм я лэжьыгъэмкIэ мыарэзыхэм я тхьэусыхафэу 358-рэ нэгъабэ зэпкърахащ. Ахэр нэхъыбэу теухуащ щхьэусыгъуэ гуэрхэр къагупсысурэ сатум зэрыхамыгъэхьэм, къыхэдзыжыпхъэ котировкэ тхылъхэм зэрыхэплъэ щIыкIэм, заказ зытхэм я хьэпшыпхэм, лэжьыгъэхэм, Iуэхутхьэбзэхэм хуимыту дагъуэхэр зэрыхуащIым. КъаIэрыхьа тхьэусыхафэ тхылъхэм ящыщу 84-м ирагъэгъэзэжащ, 66-р ахэр къэзытахэм къащтэжащ, апхуэдизым лъабжьэ яIэу, 140-р лъабжьэншэу къалъытащ. Зыхэплъа тхьэусыхафэхэм, планым щымыщу ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм япкъ иткIэ, тхылъ 73-рэ ягъэхьэзыращ. ЗэIухауэ къызэрагъэпэща зэпеуэхэмкIэ, аукционхэмкIэ, электрон Iэмал аукционхэмкIэ заказхэр зэрыхагуэша щIыкIэр планым тету 1874-рэ къапщытати, ныкъусаныгъэ 305-рэ къыщIагъэщащ. — СледствэмкIэ комитетым, прокуратурэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, шынагъуэншагъэмкIэ къулыкъущIапIэм я лIыкIуэхэр тщIыгъуу антимонопольнэ законодательствэр зэрагъэзащIэр планым хэмыту 461-рэ къэтпщытащ. Абыхэм ящыщу тIур властым и къэрал органхэм щедгъэкIуэкIащ. Административнэ къуаншагъэхэмкIэ хабзэр къызэрызэпаудам къыхэкIыу, IэнатIибгъурэ къулыкъущIэу 199-рэ жэуапым етшэлIащ, сом мелуани 6-рэ мин 237-м пэкIуэ тхылъу 313-рэ яхуэттхащ,- къыхигъэщащ Пщыншэ Къазбэч. Ар щхьэхуэу къытеувыIащ хьэрхуэрыгъэр хъумэным и Iуэхур зыхуэдэр нэгъабэ зэрызэпкъраха щIыкIэмрэ абыхэм къарикIуамрэ. Гулъытэ хэха зыхуащIахэм ящыщщ хущхъуэхэкIхэмкIэ розницэ сатур, республикэм и щIыналъэм телефон связымрэ Интернет сетымрэ я Iуэхутхьэбзэхэр зэрыщагъэзащIэр, Прохладнэ районым и пассажир транспортым и лэжьэкIэр, нэгъуэщIхэри. — ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм жыджэру дадолажьэ. Интернетым и сайт зэмылIэужьыгъуэхэм ди IуэхущIафэм теухуа тхыгъэхэмрэ хъыбархэмрэ щызэбгрыдогъэх, социальнэ рекламэм догугъу. Ди IэщIагъэлIхэр студентхэм яIуощIэ, антимонопольнэ законодательствэм щыубзыхуахэм хагъэгъуазэ, дерс гъэщIэгъуэнхэр, щIэщыгъуэхэр драгъэкIуэкI. «Бжэ зэIухам и махуэ» къыхыдолъхьэ. ШколакIуэхэм даIуощIэ, хьэрхуэрыгъэр хъумэным и IуэхукIэ Законым щыгъэбелджыла Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм дахутопсэлъыхь. Рекламэмрэ финанс Iуэхутхьэбзэхэмрэ я рынокым хьэрхуэрыгъэр зэрыщахъумэр зэхэзыгъэкI эксперт советитI къызэдгъэпэщащ. Ди управленэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Уэркъуасэ Каринэ Урысейм и Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъущIапIэм «Илъэсым и пресс-секретарь» номинацэм нэхъыфIу къыщалъыта цIыхуихым яхэтщ. Зэрыщыту къапщтэмэ, нэгъабэ лэжьыгъэ хъарзынэ диIауэ жыпIэ хъунущ, — къыхигъэбелджылыкIащ Пщыншэ Къазбэч. ИужькIэ абы мы гъэм къапэщыт къалэнхэр игъэнэIуащ, журналистхэм я упщIэхэм жэуап яритащ. Хьэжыкъарэ Алик. Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25627.txt" }
Мы махуэхэм Мазаем и 28, махуэку МащIэрэ фIэкIа узримыхьэлIэ узыфэхэм я европей махуэщ 1555 гъэм Нострадамус и тхылъ цIэрыIуэр къыдэкIащ. Мазаем и 28 — гъатхэпэм и 2-хэм Берлин (Германие) щекIуэкIынущ хьэрычэтым хэт бзылъхугъэхэм я зэхуэсышхуэ. УсакIуэ-уэрэдус Къанкъул ФIыцIэ къызэралъхурэ илъэс 76-рэ ирокъу. УсакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сонэ Абдулчэрим и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу. УэрэджыIакIуэ Уэтэр МуIэед и ныбжьыр илъэс 56-рэ ирокъу. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и ректор, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Жэрыкъуэ Борис къызэралъхурэ илъэс 55-рэ ирикъунут. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 — 3, жэщым 1 — 2 щыхъунущ. Гъатхэпэм и 1, мэрем Граждан зыхъумэжыныгъэм и дунейпсо махуэщ Забайкальскэ крайм и махуэщ. Читинскэ областымрэ Агинскэ, Бурятскэ автономнэ округхэмрэ зэхагъэхьэри, 2008 гъэм къызэрагъэпэщащ крайр. Америкэм щыщ Шоулз Лэтем 1873 гъэм япэ дыдэу утыку кърихьащ зэрыбкIэ зэрытрадзэ машинкэр. Куэду къыщIагъэкIыу щIадза нэужь, ар япэу къэзыщэхуахэм ящыщщ тхакIуэ Твен Марк. АбыкIэ тридза и япэ лэжьыгъэр «Приключения Тома Сойера» роман цIэрыIуэрщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 4 — 8, жэщым 4 — 5 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25631.txt" }
КIэкIыхъу М.Хь. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр фIэщыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымкIэ фIыщIэ ин зэриIэм папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр фIэщын КIэкIыхъу Мэжид Хьэрун и къуэм — «Тен-джыз фIыцIэм Iус шапсыгъхэм (адыгэхэм) я «Адыгэ Хасэ» зэгухьэныгъэ» Краснодар крайм и жылагъуэ зэгухьэны-гъэм и тхьэмадэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мазаем и 27-м №24-УГ Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей, Адыгей, Шэрджэс, Мэздэгу Адыгэ Хасэхэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэм гуапэ къащыхъуащ КIэкIыхъу Мэжид КъБР-м и цIэ лъапIэр зэрыхуагъэфэщар икIи узыншагъэ быдэ иIэу адыгэ лъэпкъым иджыри илъэс куэдкIэ хуэлэжьэну йохъуэхъу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25633.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм ТхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр УпщIэ нагъыщэ Телъыджэу зэхэджащ цIыху гъащIэр. ГъэщIэгъуэнми къыщынэркъым абы и къуэгъэнапIэ-быдапIэ куэдым уи нэр къыхузэтепхыныр, ар плъыфэбэу, къуэпсыбэу, нурыбэу икIи къуэбэбжьабэу зэрыухуам укIэлъыплъыныр. Къыпхуэмыпщытэным хуэдизщ зэрыупщIэ нагъыщэ здэгъэувыпхъэу а гъащIэм къытлъыкъуигъэкI жыхуэпIэр. Жэуапым я нэхъ пэжыр къэулъэпхъэщыным, хэкIыпIэм я нэхъ захуэр къэгъуэтыным зэману тедгъэкIуадэри лъытэгъуейщ. Узыфэ IэубыдыпIэншэм Iэпкълъэпкъым зэрызэригуашэм хуэдэу, зэрыупщIэ нагъыщэ куэдым увыIэпIэ зыкъысхуащIащ. ЗэщIаблащ, зэщIащтащ, зэщIаубыдащ си гъащIэр. ДэнэкIэ тесIуантIэми, дэздзыхми, къэзгъэшми, сикIуэтми — дапщэщи си гъуэгур яуфэбгъу, гъуэм кърахуа благъуэу къыспотIыс. ГурыфIыгъуэмрэ нэплъэгъуэмрэ зы бэлыхь есщIами ярейуэ, спагъэжыжьэ. Си фэм симытыжу фагъуэ сащI, фэтегъуэ сихъукIынми увыIэгъуэрэ тепыIэгъуэрэ ямыщIэу Iуэхур ирашалIэ, лIэныгъэр IэфIыпс къысщащI. Фащэм я нэхъ дахэр зыхуэзгъэфащэу хэIэтыкIа нагъыщэ пагэкIэ зэщIэзудэжа си лъагъуныгъэ дахащэми къылъагъэс я щхъухь шынагъуэр, къопэбжьауэ, къуоныкъуэкъу яфIэщыпсу. Си гур тIу иращIыкIыну къыхуодзэлашхэ. Я щхьэр ягъэщхъарэ езэш ямыщIэу къытоуIуэ, къопIэстхъ. Зы дакъикъи псэхугъуэ ирагъахуэркъым яуIэу зэлъэпэуэжыну гу тхьэмыщкIэр. Зы Iэмали къысхуэгъуэтыркъым икIута из зэрымыхъужыр къагурызгъэIуэну. ГъырнэIурэ псэкIуэду ирызагъэхьэкI си гъащIэр. ЩIэращIэу, щIэщыгъуэу, щIэхъуэпсымрэ щIэбэгымрэ ебэкIыу зэгуэр сызыхэпсэукIа гъащIэр. Лъэгуажьэмыщхьэ захуэсщIу селъэIуа, си щхьэр яхуэзгъэлъэхъша пэтми, я фIэщ схуэщIыркъым гум уегуауэ зэрымыхъунур — ар ныкъуэдыкъуэу, къыхуэныкъуэ щымыIэжу, къеижыр къыхукъуэплъу къэплъэнэф пэлъытэу дунейм зэрыщыхьэулеинур, зэрыщылеинур. ИтIани сызэхахкъым, къысхуэдэгущ. ГуитIщхьитIу сагъэпсэуныр яфIэкъабылу лей къыстрагъэхьэ, хьэм ирагъэхь къупщхьэжьу, си гум къодзэгъу. Ауэ зэкIэ пэлъэщкъым, яхуэгъэщащэркъым, яхуэуныкъуркъым. Яхуэуныкъуркъым быдэ дыдэу зэрыубыдауэ, фошыгъупсым хэлъэфа IэфIыгъэкIэ псыхьыжауэ гу курыкупсэм лъагъуныгъэр хэгъэпщIащи, дыгъэ бзийм къыхэча Iуданэ дыщэпскIэ и гъунэхэр къэдыхьыжащи. МыщIэ цIу цIыкIуу гум итIысхьащи, Iэрымылъхьэ-нэрымылъагъу бзуубзэ макъкIэ псэм епсэлъащи. Полъэщ, дзыхэркъым икIи икIуэтыркъым ар. УпщIэ нагъыщэу къыпэщIэувэр зэрырищIыкIыфын, я лъапси я къуэпси зэрыщIигъэхуфын къару лъэщ къызэрыкъуэкIыфынум ирипагэрэ ириину, къащыдыхьэшхрэ къащIэнакIэу гум къоцIуукI, къолындыкI, къогуфIыкI… Жамбэч Рабия. ГушыIэ Умыщхьэхыу дауэ упсэлъэфрэ? Пащтыхьым унафэ ищIри, дунейм щхьэхынэу тетым я нэхъ щхьэхынэ дыдэу тIу къригъэшащ. ЩхьэхынитIыр гум кIыхьу илът, загъэхъеин щхьэхыу. Пащтыхьыр къыщIэкIри, жиIащ: — МафIэ щIэвдзэт! МафIэ щIадзащ. МафIэр кIуэурэ щхьэхынитIым я деж щынэсым, ису щIидзащ. — МафIэм дис си гугъэщ, — жиIащ зым. — Уа, умыщхьэхыу дауэ упсэлъэфрэ! — къыпидзыжащ етIуанэм. Бжыгъэхэр «Крепкий орешек-5» фильмым текIуэдар Ар щытрахым каскадер 30 хэтащ. Абыхэм ящыщу тIум Уиллис Брюс нэхъ гугъуу ищIэн хуей псор зэфIагъэкIащ. Фильмыр щытрахым «Мерседес» 70 къагъэсэбэпащ. Абыхэм я нэхъыбэр къутащ, пщIыж мыхъуну. КиноIэщIагъэлIу 500 кърагъэблэгъащ фильмыр щытрахым. Абыхэм ящыщу 400-р венгрт. Уиллис, и щхьэгъусэр, къалъхуагъащIэ и пхъур щыпсэуа унэр доллар мин 16 и уасэт. Будапешт и курыкупсэм ит, къатищ хъу унэр зы мазэм доллар мини 4-кIэ бэджэнду яту арат. Ауэ ар зейм щIэсынур хэтми къыщищIам, доллар мини 8-м нэс уасэр дригъэуеящ. Сыт ящIэнт продюссерхэм — мазитIкIэ къыхуащтащ ар лIыхъужь нэхъыщхьэм. Беларуссым щащI «Ми-26»-р фильмым къыщагъэсэбэпыным доллар мин 400 трагъэкIуэдащ. А ахъшэм и Iыхьэ плIанэр кхъухьлъатэм и гъэсыныпхъэм ихьащ, адрейхэр кхъухьлъатэзехуэхэм, щIылъэм щыкIэлъыплъхэм, машинэр зыхуей хуэгъэзэным текIуэдащ. Фильмым трагъэкIуэдащ доллар мелуани 125-рэ. Абы щыщу мелуан 50-р фильмыр щытраха Венгрием къыщынащ. Адрейр актерхэм я лэжьапщIэм, фильмым ехьэлIа нэгъуэщI Iуэхухэм трагъэкIуэдащ. Шхыныгъуэхэр Гуэгуш тхьэмщIыгъу шыпс ТхьэмщIыгъур къабзэу ялъэсри, псы щIыIэ зэрыт шыуаным иралъхьэ, шыгъу хадзэ, зэ фIыуэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ, мафIэр цIыкIу ящIри, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъэ 40 -50-кIэ ягъавэ. ТхьэмщIыгъу вам Iэпэр хощатэ. Ар лэпсым къыхахри тIэкIу ягъэупщIыIу, итIанэ лыхьэжым щIагъэкI е яуб. АдэкIэ гуэгуш лэпсым къытекIа дагъэр е тхъу шыуан щхьэхуэм иракIэ, къагъэплъри, цIыкIу-цIыкIуу упщIэта бжьыныщхьэ укъэбзам шыбжий плъыжь хьэжа сыр халъхьэри, дакъикъэ зытIукIэ ягъэлыбжьэ. Абы гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIа хакIутэри, чымчыркIэ зэIащIэурэ, тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. ЗэрызэIащIэм хуэдэурэ, абы тхьэмщIыгъу хьэжар халъхьэ, ар зыхэвыкIа лэпсым щыщ хакIэри, зэIыщIэныр зэпамыгъэууэ, дакъикъэ 25 — 30-кIэ ягъавэ. Хьэзыр хъуа шыпсыр мафIэм къытрахыж, тIэкIу ягъэупщIыIу, абы зэIащIэурэ бжьыныху уба халъхьэ, джэдгын траудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 5-6-кIэ щагъэт. Шыпсыр тхъуэплъ дахэу, и щхьэм дагъэ тету, мэ дахэ иIэу щытын хуейщ. Яшх пщтыру, пIастэ, мэжаджэ, чыржын, щIакхъуэ щIыгъуу. Халъхьэхэр (цIыхуиплI Iыхьэ): ТхьэмщIыгъуу — грамм 400 Псыуэ — грамм 920-рэ Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамм 30 Тхъууэ е дагъэу — грамми 100 Шыгъуу — грамм 22-рэ Гуэдз хьэжыгъэу — грамм 30 Лэпсу — грамм 690-рэ Бжьыныху укъэбзауэ — грамм 20 Шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз. Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр Адыгэхэр къуршым итщ. Сурэтыр Грузинский П. И. ищIащ. 1842 гъэ Мелардырыбжэхэр Нэхъыбэ мэхъу ДолларкIэ бжэ мелардырыбжэу Урысейм исым я бжыгъэм хэхъуащ 2013 гъэм. Иджы ахэр цIыхуи 131-рэ мэхъу. CEO журналым къызэрытрадзамкIэ, зы илъэсым къриубыдэу нэхъ къулей дыдэхэм цIыху 11 къахэхъуащ. 2012 гъэм доллар мелардым щIигъу зиIэ хьэрычэтыщIэу ди къэралым 120-рэ исауэ аращ, 2011 гъэм ахэр зэрыхъур 114-рэт. Къэралыр кризис лъэхъэнэм къыщихутам мащIэу щытащ мелардырыбжэхэр, 49-рэ хъууэ арат. 2008 гъэм Урысейм доллар мелардырыбжэу 101-рэ ист, 2010 гъэм — 77-рэ хъурт. Зи гугъу тщIы цIыху къулейхэм я мылъкуми куэдкIэ хэхъуащ блэкIа илъэсым. 2013 гъэм нэхъ бей дыдэу къалъыта хьэрычэтыщIэм и мылъкур доллар меларди 147-рэ мэхъу. Ар нэхъыбэщ 2012 гъэм (доллар меларди 131-рэ), 2010 гъэм (меларди 139-рэ), 2009 гъэм (мелард 76-рэ) нэхъ къулейуэ къалъытам ейм нэхърэ. Ауэ 2011 гъэм Урысейм и нэхъ къулей дыдэ цIыхум и мылъкур доллар меларди 182-рэ хъурт, 2008 гъэм мелард 221-рэ зиIаи щыIащ. CEO жураналым къызэрытрадзамкIэ, мы гъэм Урысейм и нэхъ къулей дыдэ цIыхуу къалъытэр «Металлоинвест»-м и тхьэмадэ Усманов Алишерщ, абы доллар мелард 18,72-рэ иIэщ, ари блэкIа илъэсым елъытауэ проценти 8-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Хэхъуэ куэд зиIэ цIыхухэм я рейтингыр къэзыпщытэ «Bloomberg» «Forbes» жыхуиIэхэм къагъэлъагъуэхэми япэ увыпIэр щеубыд Усмановым. ЕтIуанэ увыпIэр зейр НЛМК-м и унафэщIхэм я советым и Iэтащхьэ Лисин Владимирщ, абы и мылъкур доллар мелард 17,2-рэ мэхъу. Ещанэ увыпIэм щыIэр «Реновы» фирмэр зей Вексельберг Викторщ (мелард 15,94-рэ), абы къыкIэлъокIуэ «Альфа-групп»-м и Iэтащхьэ Фридман Михаил (мелард 15,32-рэ). Зи гугъу тщIы рейтингым етхуанэ увыпIэр щызыубыдыр Прохоров Михаилщ, абы и мылъкур доллар мелард 15,25-рэ мэхъу. Нэхъ къулейуэ пщIым хэтщ «Северс- таль»-р зи IэмыщIэ илъ Мордашов Алексей, «Новатэк»-р зейхэм ящыщ Михельсон Леонид, «Базел»-м и тхьэмадэ Дерипаскэ Олег, «Интеррос»-м и президент Потанин Владимир, «Лукойл»-м и Iэтащхьэ Алекперов Вагит сымэ. ЖыIэгъуэхэр Лъагъуныгъэм и къарур ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъыр ищIэр мащIэу къыщыхъужу сытым дежи еджэрщ. * * * Зыгуэрым пэжу гу лъитащ: псори куэдрэ псэуну хуейщ, ауэ жьы хъуну зыри хуейкъым. * * * ЦIыхум и хьэлыр аращ, арэзы къыдэхъуращ гулъытэ нэхъыбэ зыхуищIыр. * * * Псом нэхърэ унэхъ Iущу закъыфIэбгъэщIыныр къызыхэкIыр акъылыншагъэрщ. Губзыгъэр сытым дежи зэпIэзэрытщ. * * * Дэтхэнэми къыфIощI езым хуэдэу фIыуэ зылъагъу щымыIэу. Аращ лъагъуныгъэм къару хуэхъужри. * * * Зыгуэрым ущыхуэныкъуэм хуэдэ дыдэу фIыкъым зыгуэр къобэкIыу уиIэнри. Абы и уасэр мэкIуэд, ар нэхъ IуэхуфI дыдэу щыт-ми. * * * НэгъуэщIым щхьэкIэ жыпIэм хуэдэ дыдэщ уэри къыпхужаIэр. * * * УщIэлъаIуэм хуэфэщэн фIыщIи къыкIэлъыкIуэн хуейщ. * * * ЦIыхухъум хуримыкъу псори цIыхубзым хэлъщ. * * * ПщIэншэу бгъэкIуэда зэманым куэд пIех, ауэ дерсыфI къыхыбох. Хъурей Феликс. Хъуэхъухэр Гъатхэпэм и 3-м къыщалъхуа махуэр ягъэлъапIэ Мэршэнкъул (ХьэфIыцIэ) Лидэ Мусэбий и пхъумрэ Мэршэнкъул Аслъэн Хьэсэн и къуэмрэ Дахагъэу дунейм тетыр къызыдэуш гъатхэм халъхуа, фIыуэ тлъагъу, пщIэшхуэ зыхуэтщI зэанэзэкъуэм узыншагъэ быдэ фиIэу, гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ фи Iэпэгъуу, гъащIэм и IэфIыгъэ псори зыхэфщIэу Тхьэм фигъэпсэу. Лидэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ унагъуэм и гуащэ Iумахуэу, дахагъэмрэ гумащIагъэмрэ и Iэпэгъуу къогъуэгурыкIуэри, адэкIи ефIакIуэу, зи ущиякIуэ и щIэблэм я насыпым иригушхуэу, абыхэм я ехъулIэныгъэхэм и лъэр щIигъэкIыу, нэмыс къыхуащIрэ и пщIэр яIэту куэдрэ дуней дахэм тетыну ди гуапэщ. Аслъэн дыхуохъуахъуэ и гъащIэ гъуэгур дахэу, и лэжьыгъэм и хъер илъагъуу, и гур щызрэ насыпыфIэу, и гурылъхэмрэ гъащIэмрэ зэтехуэу, къызыхэкIа лъэпкъым и пщIэр иIэтрэ и IуэхущIафэ дахэхэмкIэ цIэрыIуэу псэуну. Фи Iыхьлыхэмрэ фи благъэхэмрэ. Псалъэзэблэдз ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. Пхъэ пкIэлъейм и Iыхьэ. 14. Бжэгъу кIыхь, къурагъ гъум. 15. ПшахъуэщI. 16. Сталиным иужькIэ къэрал унафэщIу хаха. 17. Къуаргъ лъэпкъ. 18. Адыгэ генерал. 18. ГуфIэгъуэ Iэнэм щыжаIэ псалъэ дыгъэл. 19. Щыгъыным хищIэ хьэпIацIэ. 20. Бзаджэнаджэ, цIыху псэ фIей. 21. Зыгуэр иракIутэн хьисэпкIэ яшыхьа тхылъымпIэ. 23. Уи мыIуэху зепхуэмэ, уи щхьэм къытехуэнкIэ хъунущ. 24. Фочышэу къагъэсэбэп бдзапцIэ хъурей цIыкIу. 25. ХадэхэкI. 26. Ди Налшык зоопаркым апхуэдэ псэущхьэ исщ. 27. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, абы и щхьэр умытIатэу хьэ илърэ ху илърэ къыпхуэщIэнукъым. 28. Ди гъунэгъу нысащIэр и … кIуэжырейщ. 29. ЛъагапIэ. 30. Хьэцэпэцэ къэкIыгъэ. 31. Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэн IуэхущIапIэм и Iэтащхьэ. 32. Жьэ бзаджэ зиIэ цIыху дыдж . 33. ХадэхэкI. 34. «СыкIуэнт нэхъ псынщIэу схузэфIэкIым, мычэму си шыр согъэлъэхъу, … уэ фIыкIэ уигу сыкъэкIым, си гъуэгу кIыхь хъуну къызэхъуэхъу» — КIыщокъуэ Алим и усэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ зым щыщщ. 35. Шы къызэщIэплъам къыщхьэщих бахъэ. 36. Балъкъэрхэм къыдагъэкI газет. 37. Шым и «вакъэ». 38. Лэжьэрейм и Iэгум трищIэ фэ Iув пхъашэ. 39. Дзыгъуэхэм, шындырхъуохэм я унэ. 40. Ди щIыналэм щыIэ псыежэхышхуэ. 41. ПсыпцIэ къуалэбзу пщэ кIыхь, лъакъуэ кIыхь. 42. Жыхафэгу. 43. Къэбэрдейм и иужьрей пщы уэлий Жанхъуэт … 44. ЩIалэр гъунэгъум … джэгуну екIуэкIащ. 45. Ахъшэ жьгъей. 46. Ху къызыщIаIукI къэкIыгъэ. 47. Вакъэ лъапщэ кIыхь. 48. … егъу нэхърэ ныбжьэгъуфI. 49. Адыгэ драматург, тхакIуэ. Абы и цIэр Налшык и уэрамхэм ящыщ зым зэрехьэ. 50. … фIэдахэр псэм фIэIэфIщ. 51. ЩIыIум зэреджэ нэгъуэщIыцIэ. 52. ЩIакхъуапхъэ. 53. Район зыбжанэм пIалъэ-пIалъэкIэрэ я унафэщIу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 54. Ди къэралым фIыуэ къыщацIыху адыгэ уэрэджыIакIуэ Iэзэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист. И кумкIэ кIуэуэ: 1. Убэлэрыгъамэ, абы мэлым IисрафыпцIэр хилъхьэнущ. 2. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 3. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ гъуэзэджэу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист. 4. Пхъэм къыхащIыкI хьэкъущыкъухэм я кIуэцIыр зэрагъэтэмэм, дзитI зыIут Iэмэпсымэ. 5. Гъатхэм гъуэжь дахэу къэгъагъэ къэкIыгъэ. Е цы кIэщI щабэ зытет щэкI Iув. 6. « … Мурат» — КъардэнгъущI Зырамыку, Къуныжь Хьэждал сымэ ягъэзащIэ уэрэдыжь. 7. Хъарбыз … Е ерыскъы гуэрым къыгуаха, къыгуагъэжа Iыхьэ. 8. Аслъэным ехьэехуэ хьэкIэкхъуэкIэ шынагъуэ. 9. Тхылъым и «джанэ». 10. КъулыкъущIэм и IэнатIэр … хэхыпIэ ищIащ. 11. ЗыкъыпкIэрызыщIэ удзыжь: а псалъэм и япэ пычыгъуитIыр зэхэплъхьэмэ, псэущхьэ хьилэшы къокI. Иужьрей пычыгъуэр цIыхубз щыгъынщ. 12. Лъэдиймрэ лъэгуажьэмрэ щIэзыгъа-нэ, лъэгупс зыпымыт цIыхухъу щыгъын. Гу зылъытапхъэ: ихъуреягъкIэ къэзыкIухь псалъэхэм зым и кIэухыр къыкIэлъыкIуэм и щIэдзапIэщ. Щапхъэ: мэл — лыжьжьэгу. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Мазаем и 23-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. Бэщмакъ. 14. Къаздэхъу. 15. Хъуп. 16. ПхъэцIыч. 17. Чэтэн. 18. Нэхущ. 19. Щыщ. 20. Щыкъу. 21. Къуэпс. 22. Сэмб. 23. Бэлыхь. 24. Хьэх. 25. ХытIыгу. 26. Гуэрэн. 27. Нартыху. 28. Хуей. 29. Пщыпхъу. 30. ХъумпIэцIэдж. 31. Джынасу. 32. УафэхъуэпскI. 33. КIыщ. 34. Щыхь. 35. Хьэрш. 36. Шэху. 37. Хугу. 38. Гулъ. 39. «ЛъыщIэж». 40. ГъущI. 41. ЩIыIу. 42. Iущ. 43. Щам. 44. Мыдэф. 45. Фошыгъу. 46. Гъуэмб. 47. Бейгуэл. 48. Къуентхъ. 49. Хъер. И кумкIэ кIуэуэ: 1. Амыщ. 2. БзэмыIу. 3. ГупкIэ. 4. Хьэжы. 5. ХьэтIутIэ. 6. Пщэхъу. 7. Лэгъуп. 8. Блащхъуэ. 9. Пхыр. 10. Аркъэ. 11. Аргъынэ. 12. Цей.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25636.txt" }
Гугъэри гукъеуэри зэпха Бзэм темыпсэлъыхьа, абы и мыхьэнэм и гугъу зымыщIа усакIуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. «Си анэдэлъхубзэу лъапIэ, уэ улIэжмэ, лIэжащ лъэпкъыр», «Си анэдэлъхубзэу си псэ, си анэдэлъхубзэу си нэ, щхьэ ущымыIужрэ уэ къабзэу нобэ адыгэ унэ?!», — жиIащ Бицу Анатолэ, «Пщэдей сэ си бзэр кIуэдыжынумэ, сылIэну нобэ сыхьэзырщ» (Гамзатов Расул), «КIуэдыжмэ си адыгэбзэр, хэкIынущ си адыгэпсэр» (Мыкъуэжь Анатолэ), «Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым», «Бзэ зимыIэ щIылъэм тетми, хуэдэ къабзэщ къамылъхуам» (КIыщокъуэ Алим), нэгъуэщI щапхъэ куэди къыпхуэхьынущ. Мыкъуэжь Людмилэ и псалъэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Урысейм ис лъэпкъхэм я бзэхэр зратхэ «тхылъ плъыжьым» нах-дагъыстэн, абхъаз-адыгэ, фин-угор бзэ гупхэм щыщу 20 зэрихуар, ахэм я нэхъыбэр кIуэдыжыным зы мащIэ фIэкIа имыIэжу жаIэу. Ахэр хъумэным, егъэфIэкIуэным иужьрей зэманым щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм мыхьэнэ ирату зэрыхъуам ущымыгуфIыкIыу къанэркъым. КъБКъУ-м и педколледжым щоджэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къыхэкIа студентхэр. Иджыблагъэ абыхэм ягъэлъэпIащ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр. Махуэшхуэр яубзыхуауэ щытащ ЮНЕСКО-м и конференцым и 30-нэ сессием хэтахэм, 1999 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм. 2000 гъэ лъандэрэ ар илъэс къэс мазаем и 21-м ягъэлъапIэ. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ къэрэшей-балъкъэрыбзэмрэ епха Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм тепсэлъыхьащ педколледжым и еджакIуэхэу Пэфыф Марьянэрэ Гаев Зэхъаррэ. — Тхыдэ купщIафIэрэ щIыпIэ телъыджэхэмкIэ бей Кавказым хуэдэ щIыналъэ къэгъуэтыгъуейщ. ЗэгурыIуэ-зэдэIуэжу мыбы щопсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Кавказыбзэхэр гупищу гуэшащ: абхъаз-адыгэ, нах-дагъыстэн, картвель. Абхъаз-адыгэ бзэ гупым хохьэ адыгэ, абхъаз-абазэбзэ къудамэхэр, убыхыбзэр. Иужьрейр къудамитIым я зэхуаку дэтщ (адыгэбзэм нэхъ и гъунэгъущ икIи нэхъ ещхьщ, ауэ абхъазыбзэм щыщ куэди хэлъщ), ди жагъуэ зэрыхъунщи, кIуэдыжа бзэхэм ящыщщ. Абхъаз-адыгэ бзэхэм ирипсалъэхэм я бжыгъэр мелуан зыбжанэм щIегъу. Абы щыщу Урысейм щопсэу мин 767.660-р. Щхьэхуэу къэдгъэлъагъуэмэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм ирипсалъэхэр къэрал 45-м щIигъум щыIэщ, нэхъыбэу Тыркум, хьэрып къэралхэм, США-м, — жиIащ Марьянэ. Абы и псалъэм къыхигъэщащ анэдэлъхубзэм гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэр. И гупсысэр зэрыщIигъэбыдэж уси къеджащ. ЩIалэгъуалэр къофэ. — Балъкъэрхэмрэ къэрэшейхэмрэ лъэпкъыжьщ, — жеIэ Гаев Зэхъар. — Балъкъэрыбзэмрэ къэрэшеибзэмрэ хохьэ тырку бзэ гупым. Дропагэ ди бзэр зэрыпсэум, абы кIуэ пэтми зеужь, абыкIэ лъэпкъыр мэгупсысэ, усэ зэхелъхьэ, иропсалъэ. Балъкъэрхэм къахэкIащ лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыхушхуэхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр. Апхуэдэхэщ генерал цIэрыIуэ Шаханов Абай, Совет Союзым и ЛIыхъужь, кхъухьлъатэзехуэ Байсултанов Алим. Балъкъэр усыгъэр зыIэтахэм ящыщщ Мечиев Кязим, Кулиев Къайсын, Зумакуловэ Танзиля. Лъэпкъым ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьащ щIэныгъэми. Я цIэ къиIуапхъэщ физик, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и академик Энеев Тимур, академик, Къэрал Думэм и депутат Залиханов Михаил сымэ. Мы зэманым щIэныгъэ зэхуэмыдэхэм я кандидату, доктору 320-рэ лъэпкъым иIэщ. ЗэфIэкIышхуэ къагъэлъагъуэ «Балкария» къэфакIуэ ансамблымрэ лъэпкъ драмэ театрымрэ. Балъкъэр лъэпкъыр сыт щыгъуи цIэрыIуэщ и IэпщIэлъапщIагъэкIи. Нобэ дгъэлъапIэ махуэр мыхьэнэ зиIэщ, дауэ мыхъуми, бзэр — ар ди хъугъуэфIыгъуэщ, тхъумэн, щIэблэм деж нэтхьэсын хуейщ. Студентхэр утыкум итщ. Педколледжым адыгэбзэкIэ щезыгъаджэ Мыкъуэжь Людмилэ гукIэ къеджащ КIыщокъуэ Алим и «Эмирым папщIэ сэшхуэ» романым щыщ пычыгъуэрэ Гъубжокъуэ Лиуан и усэрэ. Абы щыму къедэIуа еджакIуэхэм я нэгум къищырт я бзэр псэкIэ зэрызыхащIэр. Педколледжым и лэжьакIуэ Аппаевэ ФатIимэ зэхыхьэм къекIуэлIахэр щыгъуазэ ищIащ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм ехьэлIауэ мазэ гъунэгъум ирагъэкIуэкIыну зэхуэсхэм. Апхуэдэу, етIуанэ, ещанэ курсхэм щIэсхэм папщIэ, бзэхэмкIэ олимпиадэ къызэрагъэпэщынущ, блын газет нэхъыфI гъэхьэзырынымкIи зэхьэзэхуэ екIуэкIынущ. Гъатхэпэм и 26-м анэдэлъхубзэхэр зэрегъэджыпхъэм теухуа конференц щыIэнущ. Абы хэтынущ бзэ щIэныгъэхэм я лэжьакIуэхэр, КъБКъУ-м, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым щылажьэхэр, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Дагъыстэным я лIыкIуэхэр. А махуэм къызэщIакъуэжынущ зэхьэзэхуэхэмрэ олимпиадэхэмрэ кърикIуахэр, къыхэжаныкIахэри ягъэлъэпIэнущ. ЕджапIэм щIэс студентхэр адыгэ, балъкъэр, къумыкъу, шэшэн, ингуш бзэхэмкIэ усэхэм гъэхуауэ къеджащ, Бозиев СулътIанрэ («Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым хэтщ) Гергакаевэ Хьэлимэтрэ уэрэд жаIащ. Зэхыхьэм кърихьэлIахэр. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25644.txt" }
Лъэпкъхэм зэдагъафIэ Мечиев Кязим и цIэр зэрихьэу ныбжьыщIэхэм я библиотекэ Налшык дэтым зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм теухуауэ. Атэлыкъ - Парзиевэ Мирэ зэIущIэр къызэIуех. Ар къызэригъэпэщат IуэхущIапIэм и лъахэхутэ къудамэм, лэжьыгъэр зыубзыху-методикэ къудамэр и дэIэпыкъуэгъуу. Иужьрейм и лэжьакIуэ Атэлыкъ — Парзиевэ Мирэ къызэхуэсахэм хьэщIэхэр яригъэцIыхуащ. Апхуэдэт «Нюр» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ Мусукаевэ Сакинат, а журналым и редколлегием хэт, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ Шаваевэ Разият, Налшык и курыт еджапIэ №9-м адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ и егъэджакIуэхэр, абыхэм я гъэсэн ныбжьыщIэхэр. Мирэ тепсэлъыхьащ адыгэбзэр фIыуэ езыгъэлъэгъуа цIыхухэм, анэдэлъхубзэм и къежьапIэр унагъуэр зэрыарам, нэгъуэщIхэми. «Анэдэлъхубзэр сабийхэм егъэджыныр адэ-анэм я хьэкъщ. Зи бзэм ирипсалъэ сабийр адрейхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ къулейщ», — жиIащ Мирэ. Адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ зэрызэпхам, абы ирипсалъэхэм, иритхэхэм я зэпыщIэныгъэм и щапхъэу Мирэ къеджащ КIыщокъуэ Алим и «Псалъэ», Кулиев Къайсын и «Ученому языковеду» усэхэм. А тхакIуэшхуитIыр Хэку зауэшхуэм щызэрыцIыхуауэ зэрыщытам, Кулиевыр уIэгъэ щыхъуам Алим къызэрыригъэлам, ныбжьэгъу пэж зэхуэхъуу псэухукIэ зэрылъытэу зэрызэдэгъуэгурыкIуам тепсэлъыхьащ. КIыщокъуэми Кулиевми яIэщ а зэныбжьэгъугъэр къызыхэщ усэхэр. Шэч хэмылъу, иджыпсту къекIуэкI лъэпкъ зэхэгъэж Iуэху еплъыкIэм пэIэщIэщ ар, зыдэплъеин хуейри нэхъыжь Iущхэм къытхуагъэна тхыгъэхэм уэсят палъэу къыхэщ гупсысэрщ. — Анэдэлъхубзэр тхъумэн хуейуэ ди къалэнщ нобэ псэу, лажьэ цIыхухэм, — жиIащ Атэлыкъ — Парзиевэм. — ТегъэщIапIэ тщIыри «Нур», «Нюр», «Солнышко» сабий журналхэрщ. Сыту жыпIэмэ, цIыкIу щIыкIэ къамыщта, фIыуэ ямылъэгъуа бзэм балигъ хъуа иужь гу хуащIыжынукъым, и курыхыр, и IэфIыр зыхащIэжынукъым. АдэкIэ Мирэ псалъэр иритащ лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ Жолабовэ Ларисэ. Ар кIэщIу тепсэлъыхьащ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм и тхыдэм, ар илъэс зыбжанэ хъуауэ зэрагъэлъапIэм, дунейм тет бзэ мин бжыгъэхэм щыщу дэтхэнэри абы ирипсалъэхэм дежкIэ зэрылъапIэм. ЗэIущIэр ягъэдэхащ, щIэщыгъуэ ящIащ Налшык къалэм и 9-нэ курыт еджапIэм и гъэсэнхэм. Алмэ Марие иригъаджэхэм ящыщу ПщыукI Алинэрэ Пекъуэ Инарэрэ гъэхуауэ къеджащ адыгэ усэхэм. Чочаевэ Анжелэ иригъаджэ Биттировэ ФатIимэ къызэхуэсахэр иригъэдэIуащ езым итха усэм. Балъкъэр усэ къеджащ Эристаевэ Аминэ (егъэджакIуэр Бозиевэ Саниятщ. ЗэIущIэм кърихьэлIахэм гъэщIэгъуэн ящыхъуауэ едэIуащ Мусукаевэ Сэкинат и гукъэкIыжхэм. Ар тепсэлъыхьащ и сабиигъуэм, нэхъыжьхэм Iущыгъэу ядилъэгъуам, къыщалъхуа къуажэм, хьэблэм дэлъа хабзэ дахэхэм. Сэкинат бзэр зэригъэIурыщIэм, усакIуэ зэрыхъуам и лъабжьэу къилъытэр зыщIапIыкIа а хабзэ-нэмысырщ. КIУЭКIУЭ ХьэIишэт.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25650.txt" }
ЦIыху щэджащэт Гу зыкIуэцIымылъ бзаджащIэхэм дыгъэгъазэм и 25-м яукIащ профессор, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Жэрыкъуэ Борис. Абы и ныбжьыр мазаем и 28-м илъэс 55-рэ ирикъунут. ПщIэ къыхуэзыщI, фIыуэ къэзылъагъу и лэжьэгъухэми, унэтIакIуэ, ущиякIуэ, чэнджэщэгъу зыхуэхъу студент щIалэгъуалэми, и ныбжьэгъухэми, и унагъуэми, и Iыхьлыхэми Iэтауэ хуагъэлъэпIэнут цIыху щыпкъэ, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэм и махуэшхуэр. АрщхьэкIэ, абы мазитIрэ махуитIрэ хурикъуакъым… КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Шыпш Аслъэн къопсалъэ. Махуэшхуэр фэеплъ пшыхь хъуащ. И ныбжьыр илъэс 55-рэ щрикъуну махуэм Жэрыкъуэ Борис теухуа фэеплъ зэхыхьэ щекIуэкIащ ар зи ректору щыта, республикэм и япэ президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым. Абы кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и унафэщIхэр, Правительствэм и лIыкIуэхэр, къулыкъущIэхэр, щIэныгъэлIхэр, Жэрыкъуэм и унагъуэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, къуажэгъухэр, лэжьэгъухэр, студентхэр. Пшыхьым щIэдзапIэ хуэхъуащ, УФ-мрэ КъБР-мрэ щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Жэрыкъуэ Борис и сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ къикIуа гъащIэ гъуэгуанэм теухуауэ ягъэхьэзыра «Гум къыбгъэдэкIыу» фэеплъ фильмыр. Утыкум къихьа студентхэр къеджащ гум зезыгъэхуз, куэдым уезыгъэгупсыс, зи гъащIэр зыIэщIаха цIыху щыпкъэм хуэгъэза сатырхэм. Мурадхэр зи куэда, зи къаруилъыгъуэ цIыхум и цIэр блэкIа зэманым иту бгъэIуныр хьэлъэщ, ауэ ар гукъэкIыжхэм я пшыхьти, япэу псалъэ иратащ проректор Щыхьмырзэ Мухьэмэд. — Жэрыкъуэ Борис къыщалъхуа махуэм ди деж къэкIуа пщIэ зыхуэтIщ ди хьэщIэ лъапIэхэм, ди лэжьэгъухэм, мы пэшым къыщызэхуэса псоми фIыщIэ фхузощI, — жиIащ абы. — Хьэлъэщ блэкIа зэманым иту апхуэдэ цIыхум утепсэлъыхьыну. Ар ди гум къинащ ныбжьэгъуу, егъэджакIуэу, унэтIакIуэ-унафэщIу. Ныбжьэгъу пэж, гъунэгъуфI зэрафIэкIуэдар нобэ ягу къыщагъэкIыжынур ди университетым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэкъым. Абы и цIыхугъэмрэ гуапагъэмрэ, и Iуэху бгъэдыхьэкIэр ящыгъупщэнукъым. «ЕджапIэм щыцIыху нэхъыщхьэр студентырщ, абыхэм щIэныгъэ нэс ягъуэтын хуейщ», — жиIэрт. Абы щыгъуэми япэ иригъэщырт гъэсэныгъэр. Студентхэми аспирантхэми абы пщIэшхуэ хуащIырт. Борис сыт хуэдэ гугъуехьми пэлъэщырт. Дэ абы дыхуэныкъуэнущ, дигуми ихунукъым. КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къуэшырокъуэ Залым къопсалъэ. — Илъэс 55-м къриубыдэу Борис къыпхуэмылъытэну куэдым хунэсащ, куэд зэфIихащ, а псори абы къигъэна лъэужьыфIщ. Гугъуехьым щымыщтэу, ерыщу ипэкIэ пабгъэу зэрыщытам и фIыгъэкIэ а псори зригъэхъулIащ. Ар гуапагъэкIэ гъэнщIа цIыхут, щIэныгъэлIым и мызакъуэу, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ, политикэ лэжьакIуэшхуэ хъуат. Лэжьэгъухэм, ныбжьэгъухэм я дежкIэ ар сыт щыгъуи лъахэм, хэкум къулыкъу хуэщIэнымкIэ щапхъэу къэнэнущ, — жиIащ псалъэмакъым къыпызыща КъБР-м и Парламентым и Тхьэмадэм и япэ къуэдзэ, «Урысей зэкъуэт» политпартым и республикэ къудамэм и унафэщI Жаным Руслан. АдэкIэ утыкур хуит хуащIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къуэшырокъуэ Залым. — МазитI я пэкIэ къэхъуа, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Урысейр зыгъэпIейтея гуауэр гум ихуакъым икIи блэкIа зэманым иту Борис и цIэр къипIуэныр, абы утепсэлъыхьыныр икъукIэ хьэлъэщ. ЦIыху минищэхэм ар я гум илъынущ. Абы и гугъу пщIыну тыншщ, гу къабзэу, псэ хьэлэлу, цIыху нэсу щытащи. Сыт хуэдэ Iуэхуми бгъэдыхьэкIэ къыхуигъуэтыфу, гушыIэ хэлъу зэфIихыфу щытащ. Жэрыкъуэ Борис теухуа фильмым нэпсхэр къригъэкIуами, ягу къагъэкIыж цIыхум далъэгъуа хабзэмрэ цIыхугъэмрэ, гушыIэ дахэм мыбы щIэс цIыхухэм я нэгум гуапагъэр щигъэлыдащ. Абы илъагъу хъуртэкъым залымыгъэр, экстремизмэр, террорыр. ИпэжыпIэкIэ абы хуэфащэу къилэжьащ КъБР-м и къуэ нэсхэм ящыщ цIэр. Къуэшырокъуэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Жэрыкъуэр щыщIалъхьэ махуэм КъБР-м и Iэтащхьэм жиIа псалъэхэр: «Борис, Къэбэрдей-Балъкъэрым зиужьыным хуэгъэза уи гурылъхэмрэ мурадхэмрэ нэхуапIэ хъунымкIэ тхузэфIэкI псори длэжьынщ икIи ар уи фэеплъ мыкIуэдыжынщ». ГукъэкIыж псалъэмакъхэр щызэпыукIэ, хэщIыныгъэр гуауэшхуэу зэрыщытыр, гум зэримыхунур, уи псэм щыщIэм емылъытауэ, гъащIэм къызэрыпищэр, псэун зэрыхуейр къызыхэщ, гупсысэм ухэзышэ сатырхэм къеджащ Урыс драмэ театрым и артистхэу Каграманян Грантрэ Кравцовэ Натальерэ. Жэрыкъуэ Борис и ныбжьэгъу, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Ерчэн Темболэт къопсалъэ. — Борис цIыху гъуэзэджэт. ЩIалэгъуалэр ныбжьэгъуу дыкъилъытэрт, и гум, и псэм къыбгъэдэкIыу къыддэIэпыкъурт. Абы ищIэртэкъым «сыхущIыхьэркъым», «схузэфIэкIынукъым» псалъэхэр. IуэхукIэ екIуалIэ дэтхэнэми зэман къыхуигъуэтырт, дэIэпыкъурт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэхэр мащIэщ, икIи дыхуейт нэхъыбэ хъуну, — жиIащ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Шыпш Аслъэн икIи езым и къуэш нэхъыщIэ Беслъэн Жэрыкъуэ Борис хуитха усэм къеджащ. Апхуэдэуи утыкур хуит хуащIащ фэеплъ пшыхьым кърихьэлIа Жэрыкъуэм и ныбжьэгъухэм, цIыхугъэхэм, къуажэгъухэм, университетым и студентхэм я адэ-анэхэм икIи псалъэ гуапэхэмкIэ ягу къагъэкIыжащ, зэращымыгъупщэнури жаIащ. — БзаджащIэхэм ди ныбжьэгъу лъапIэр тIэщIахащ. ТIури Къэбэрэдей-Балъкъэрым къыщалъхуащ. Зыр и лъахэм, абы щыпсэухэм фIы зэрахуищIэным хущIэкъурт. Адрейм лъахи, лъэпкъи, адэ-ани — дунейм щигъэлъапIэу зыри иIэтэкъым. Борис ипэжыпIэкIэ къилэжьащ мы пшыхьым абы хуэгъэзауэ щыжаIа псалъэ гуапэхэр. Дэ ар зэи тщыгъупщэнукъым, ди гум, ди псэм хэлъынущ, сыт щыгъуи тщIыгъунущ. Гу зэрылъыттащи, а цIыху щэджащэм усэхэр хуатх. Ауэ а псори щIэдзапIэщ. Зэ мыхъуми Борис къыхуэза цIыхум ар гукъинэж щыхъуащ и дуней тетыкIэкIэ, Iуэху зехьэкIэрэ цIыхугъэкIэ. Ди къэралым абы щиIэщ ныбжьэгъу куэд икIи гуапэу сыт щыгъуи ягу къэкIыжынущ, и фэеплъым пщIэ хуащIынущ. Си фIэщ мэхъу абы и бынхэр, я адэм хуэфащэу, и пщIэр нэхъри яIэту, гъащIэм лъэ быдэкIэ зэрыщыувынур, и IуэхуфIхэм къызэрыпащэнур, — жиIащ профессор, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Ерчэн Темболэт икIи фэеплъ пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ яхуищIащ. Пшыхьыр езыгъэкIуэкI Жэрыкъуэ Борис и къуажэгъу Гумэ Маринэ къызэрыхигъэщащи, ипэжыпIэкIэ Псыгуэнсу къуажэм къыдэкIащ зи акъылрэ IущыгъэкIэ, зи IуэхущIафэкIэ цIэрыIуэ цIыху телъыджэ куэд. Къуажэдэсхэр зэрыгушхуэхэм ящыщщ Жэрыкъуэри. Марини псалъэ гуапэ куэд хужиIащ и къуажэгъум, и гур къыщызэфIэнэ, нэпсхэр къыщыфIекIуэ къэхъуу, гукъэкIыжхэм къытеувыIащ. АдэкIэ Гумэр адыгэбзэкIэ къеджащ Жэрыкъуэ Борис илъэс 55-рэ щрикъум ирихьэлIэу ШэрэIужь Аслъэн итха усэм. Студентхэр усэ къоджэ. Мэкъумэш университетым и профкомым и унафэщI, профессор Зумакулов Асхьэт фэеплъ пшыхьым къекIуэлIахэм, къызэгъэпэщакIуэ гупым ину фIыщIэ яхуищIащ и шыпхъу усакIуэ Зумакуловэ Танзиля и усэ сатыр зыбжанэ къеджащ. Фэеплъ пшыхьым кърихьэлIа Жэрыкъуэ Борис и унагъуэмрэ и къуэшымрэ я гум щыщIэр къэIуэтэгъуейт. Ахэр иригушхуэрт адэм, къуэшым, щхьэгъусэм и пщIэр, и цIэр зэраIэтым, абы мыкIуэдыжыну лъэужь дахэ къызэригъэнам. Жэрыкъуэм и щхьэгъусэ Оксанэ къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ. «Фэ, нэхъыжьри нэхъыщIэри, абы и гум и Iыхьэу фыщытащ, апхуэдэ дыдэу си фIэщ мэхъу фэ фщыщ дэтхэнэми и гум ар IэфIу къызэринар», — жиIащ Оксанэ. Жэрыкъуэ Борис и ныбжьыр илъэс 55-рэ щрикъу махуэм макъамэ Iуащ, псалъэ гуапэ куэд жаIащ. Ауэ а макъамэр дэрэжэгъуэ къозыт махуэшхуэ макъамэтэкъым, атIэ гукъэкIыжым ухэзышэт. Утыкум къихьахэм яIэтыр хъуэхъутэкъым — гум къыбгъэдэкI псалъэхэр блэкIа зэманым итут зэрыжаIэр. УАРДЭ Жантинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25654.txt" }
Медалитху къахьащ КикбоксингымкIэ К-1 лIэужьыгъуэмкIэ Урысейм пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ иджыблагъэ Шахты къалэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм хэтащ КъБР-м и спортсмених. Абыхэм медалитху зыIэрагъэхьащ. Дунейпсо чемпион Борсэ Астемыррэ (кг 54-рэ) 2012 гъэм Европэм щытекIуа Жэгъуп ФатIимэрэ (кг 48-рэ) дыщэ медаль зыIэрагъэхьащ. Астемыр иужьрей зэIущIэм къыщыпэщIэхуат Грознэ къалэм щыщ спортсмен лъэщ Пасхаев Хъалид. Борсэм и хьэрхуэрэгъум текIуэныгъэр нокауткIэ къыфIихьащ. Жэгъуп ФатIими зэфIэкI къигъэлъэгъуащ. И лъэхъуамбэр зэрыкъутами къригъэкIуэтакъым ар. Иужьрейуэ хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуа Тува щыщ Доктугу Дианэ псынщIэ дыдэу хигъэщIащ. Зэпеуэм етIуанэ увыпIэр щызыIэригъэхьащ Къудей Алимрэ Сасыкъ Анзоррэ я гъэсэн Ельская Юлие. Иужьрей зэIущIэм ар къыщыхигъэщIащ Москва щыщ Поскребышевэ Аннэ. Я ныбжь елъытауэ зыхэта зэпеуэм Алборэ Амиррэ (кг 71-рэ) Къанокъуэ Елдаррэ (кг 45-рэ) жэз медалхэр къыщахьащ. Ахэр Саралидзе Айдын и гъэсэнщ. Зэхьэзэхуэм «Судья нэхъыфI» щыхъуащ дунейпсо категорие зиIэ Апажэ Рашид. «ТекIуэныгъэм зэрыщIэбэнамкIэ» саугъэтыр Къанокъуэ Елдар къыхуагъэфэщащ. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25661.txt" }
Зы махуэм — джэгугъуитI Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щаублэжыну зэхьэзэхуэм Тыркум щызыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» мазаем и 28-м зэныбжьэгъугъэ зэIущIитI иригъэкIуэкIащ. Япэ щIыкIэ ди щIалэхэр IущIащ Украинэм и етIуанэ дивизионым хэт Стрый къалэм и «Скала» командэм. «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Шыпш Тимур абы пэщIигъэуващ Степановыр, Мэкъуауэр, Джудович, Чернышовыр, Абазэр, Короновыр, Балэр, Чеботару, ТыIэщыр, Гъуэщокъуэр, Болэр. ЗэIущIэм и кIыхагъкIэ налшыкдэсхэм тепщэныгъэр яIыгъащ икIи Болэ Русланрэ (тIэунейрэ) Коронов Игоррэ дагъэкIа топхэм я фIыгъэкIэ 3:0-у текIуащ. А махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэм «Спартак-Налшыкыр» Ярославль и «Шинник»-м дэджэгуащ. Абы ди тренерхэм къыщагъэсэбэпащ япэ дивизионым щыщIэзыдзэж зэхьэзэхуэм тегъэщIапIэ ящIыну нэхъ зыхуагъэфащэ футболистхэу Коченковыр, Овсиенкэ, Засеевыр, Тимошиныр, Багаевыр, Буйтрагэ, Галиныр, Зинович, Аверьяновыр, Сирадзе, Медведевыр. ИужькIэ абыхэм къахыхьащ Болэр, Абазэр, Сусловыр. ЗэпэщIэува командэхэр нобэкIэ я къарукIэ зэхуэдэу къыщIэкIащ. Джэгум и япэ Iыхьэм ахэр топ зырызкIэ зэхъуэжащ икIи зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, зэIущIэр иухащ. Ди щIалэхэм къахэжаныкIар Буйтрагэщ. «Спартак-Налшыкыр» иджыри зы тхьэмахуэкIэ Тыркум щыIэнущ. А зэманым къриубыдэу, зыгъэсэныгъэм къищынэмыщIауэ, абы зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэри иригъэкIуэкIынущ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25663.txt" }
КъыхэжаныкIахэр ягъэпажэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым, хабзэ дахэ хъуауэ, республикэм и гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа лэжьакIуэ нэхъыфIхэр щагъэлъапIэ. Апхуэдэу абы щатыжащ балъкъэр артист Рахаев Таубий и фэеплъу ягъэува стипендиер. «ТворчествэмкIэ международнэ академием и академик» цIэ лъапIэр тхакIуэ Опрышкэ Олег къызэрыфIащамкIэ тхылъыр Вэрокъуэ Владимир иретыж. Фондым и унафэщI Вэрокъуэ Владимир зэрыжиIамкIэ, стипендиер зытыр балъкъэр драмтеатрым и актер цIэрыIуэу щыта Рахаев Таубий и къуэрылъху, Москва щылажьэ хьэрычэтыщIэ Османов Эльдарщ. ЩIалэр Урысейм щыIэ щхьэкIэ, и хэку цIыкIур зыщигъэгъупщэркъым. Псалъэм папщIэ, и мылъкукIэ Шэрэдж районым мэжджыт, ЩэнхабзэмкIэ унэ щригъэухуащ, интернатым щыIэ цIыкIухэм къадоIэпыкъу. Стипендие зратхэр я ныбжькIи IэщIагъэкIи зэхуэдэкъым. Абы къызэщIеубыдэ актерхэр, артистхэр, симфоническэ оркестрым хэтхэр, щIэныгъэлIхэр, нэгъуэщIхэри. Рахаевым и фэеплъ стипендиер мы гъэм хуагъэфэщащ «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэ Болэт Арсен, тхакIуэ Опрышкэ Олег, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат сымэ. «ТворчествэмкIэ международнэ академием и академик» цIэ лъапIэр тхакIуэ Опрышкэ Олег къызэрыфIащамкIэ тхылъыр Вэрокъуэ Владимир абы иритыжащ. Апхуэдэуи «Минги-Тау» журналым и редактор нэхъыщхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Додуев Аскэр Вэрокъуэ Владимир иритыжащ Лермонтов Михаил и цIэкIэ щыIэ Урысей комитетым къыбгъэдэкI бгъэхэIу медалыр, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ КIуэкIуэ Валерэ къызэралъхурэ илъэс 70 щрикъум и щIыхькIэ ягъэувар. Гулъытэ зыхуащIахэм я псалъэм къыхагъэщащ я лэжьыгъэм и пщIэр къызэралъытар гуапэ зэращыхъуар, дяпэкIи яхузэфIэкI зэращIэнур. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25665.txt" }
СурэтыщI цIэрыIуэм и гъащIэр Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ «Академик Петр Захаров» зыфIаща лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн. Тхылъ-фотоальбом щхъуэкIэплъыкIэм и теплъэм занщIэу узыIэпешэ: тебзэ плъыжьым къытощ сурэтыщI Захаровым езым ищIыжа и сурэтыр. Тхылъым къыхухаха тхылъымпIэри тхыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ зэрытедза Iэмалхэри зэрыфIыдыдэм къыхэкIыу, Захаровым и IэдакъэщIэкIхэр дагъуэншэу къэгъэлъэгъуа хъуащ. «Академик Петр Захаров» щIэныгъэ-публицистикэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэныр шэшэн тхакIуэ цIэрыIуэ Ибрагимов Кантэ сурэтыщI гъуэзэджэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ триухуа тхылъ купщIафIэщ, ипэкIэ зыщIыпIи къыщамыгъэсэбэпа архив дэфтэрхэр и лъабжьэу. Я нэIэм щIэту къыдэкIа лэжьыгъэм теухуауэ тхылъ тедзапIэм и унафэщIхэм ящыщ Котляров Виктор мыр къыджиIащ: — СурэтыщI Захаров Петр и цIэр живописым дихьэххэм фIы дыдэу ящIэ, ауэ нэхъ зыщымыгъуазэр ар Кавказым къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхарщ. Лермонтов Михаил и «Мцыри» поэмэ цIэрыIуэм къыщыхьащ мыпхуэдэ сатырхэр: «Однажды русский генерал Из гор к Тифлису проезжал; Ребенка пленного он вез. Тот занемог, не перенес Трудов далекого пути; Он был, казалось, лет шести»… Мы псалъэхэр зыхужаIар, зэрыхуагъэфащэмкIэ, Захаров Петрщ, къэбгъэлъагъуэмэ, «П.Захаровъ — Чеченецъ» жиIэу и сурэтхэм языныкъуэхэм тритхэу щытащ. Ар щыпсэуа Дады-Юрт къуажэр 1819 гъэм къанэ щымыIэу зэтракъутат. Зи псэр хэкI анэм къыIэщIаха щIалэ цIыкIур сэлэтхэм Ермоловым хуашащ. Генералым ар чыристан диным иришэри, къэзакъ Недоносов Захар (аращ сурэтыщIым и унэцIэри къыздикIар) игъэсэну иритащ. Шэшэн ныбжьыщIэм и гъащIэм адэкIэ хэлIыфIыхьащ Ермоловым и адэ къуэшым и къуэ Ермолов П. Н. ИужькIэ Санкт-Петербург художествэхэмкIэ дэт академиер дыжьын медалкIэ къиухащ, и ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуу — Ермоловым и сурэт 1843 гъэм ищIам папщIэ — академик цIэ лъапIэр къыфIащащ. Аращ Захаров Петр Захар и къуэм (1816-1846) — XIX лIэщIыгъуэм псэуа япэ профессиональнэ шэшэн сурэтыщIым — и гъащIэм и къекIуэкIыкIар. Зи лъахэм щымыпсэуа щIалэм гъуазджэмкIэ хузэфIэкIащ и щхьэхуитыныгъэр ихъумэжын, и цIэр уахътыншэ ищIын. ГъэщIэгъуэнщ Брюллов Карл цIыхум и сурэт щIынымкIэ Захаровыр Iэзэу, ауэ езым япэ иджыри имыщыфауэ къилъытэу зэрыщытар. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, и зэфIэкIым къихь псор сурэтыщIым къигъэщIыну къыхуиухатэкъым – ар илъэс 30 фIэкIа мыхъуу дунейм ехыжащ. Нобэ абы и лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ, щахъумэ Урысейм и музей нэхъ ин дыдэхэм. Зытхыжар ИСТЭПАН Залинэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25670.txt" }
Зи макъамэр бзэрабзэ Мазаем и 26-м Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щагъэлъэпIащ композитор гъуэзэджэ, РСФСР-м и цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къардэн Хьэсэн и ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъуар. Хьэсэн и Iэдакъэ къыщIэкIащ уэрэд, романс, симфоние макъамэ куэд, нобэ абыхэм ирогушхуэ лъэпкъри цIыхубэри. Хэку зауэшхуэм хэта ди нэхъыжьыфIым и махуэшхуэри тохуэ мазаем и 23-м, Хэкум и хъумакIуэм и махуэм. Хьэсэн ехъуэхъуну, и пщIэр яIэтыну и унэ хуеблэгъат Правительствэм и лIыкIуэхэр. Республикэм и Iэтащхьэм хуигъэхьа тхыгъэм итт: «ПщIэ зыхуэтщI Хьэсэн, макъамэм и фIыпIэм нэсыфа, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ щыхэпша лъагъуэм ирикIуэфыну цIыхухэр зыгъэхьэзыра нэхъыжьыфIым фIыщIэ пхудощI. Уэ уи лэжьыгъэ купщIафIэхэм гупсысэшхуэ ящIэлъщ, гухэлъ, гуапагъэ, лъагъуныгъэ зыхыуагъащIэ… Дигуи ди пси къыбгъэдэкIыу дынохъуэхъу узыншагъэ быдэ, фIыгъуэ, ехъулIэныгъэ уиIэну». А псалъэхэм къеджащ Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ. Пшыхьым кърихьэлIахэр видеокIэ ирагъэплъащ Хьэсэн хьэщIэхэр зэрыхуеблэгъам. Пщыхьэщхьэ дахэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Къардэныр хэтакъым, и узыншагъэм къихьтэкъыми, ауэ ар ягъэлъапIэу пэшым щIэзу къекIуэлIат благъэ-Iыхьлыхэри, ныбжьэгъухэри, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэри. Пшыхьыр езыгъэкIуэкIа ХьэIупэ ДжэбрэIил фIыщIэ псоми яхуищIащ, композитор пажэм и махуэр дагъэлъэпIэну къызэрыкIуам папщIэ. — Сэ си ныбжьэгъу нэхъыжьщ Къардэн Хьэсэн, а цIыху Iущым и гуащIэм, зэрыжаIэу, нэху щыхуи сытепсэлъыхьыфынущ. КъинэмыщIауэ, сэ аращ сызыгъэсар. Зэгуэр абы сыIумыщIамэ, фи фIэщ фщIы, мыбдеж сыщытыну си насып къихьыну къыщIэкIынтэкъым, — жиIащ ДжэбрэIил. — Си япэ IэдакъэщIэкIхэм щыщ зы композитор гуэр щIэзгъэдэIуати, «мы Iуэхур къэгъани нэхъыфIщ, щIалэ», — къызжиIат. Псалъэ къудейми, сыкъиукIа пэлъытэт… Си гур къыщызэрыгъуэтыжар Къардэным сыхуэза и ужьщ. Абы быдэу жиIат, зэман дэкIмэ, а уэрэдыр нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ зы зэрыхъунур. Пэжт. Уэрэдыр — Тхьэгъэзит Зубер и псалъэхэр зыщIэлъ, Тут Заур игъэзащIэ «Си гъатхэращ». Абы лъандэрэ Хьэсэн фIыщIэ хуэсщIу сыкъогъуэгурыкIуэ, гъуэгу дахэ сызэрытригъэувам щхьэкIэ. Консерваторэм сыщыщIэсым стха си лэжьыгъэ зыбжанэ тезухуауэ щытащ си япэ егъэджакIуэм. Абы игу зэIухам нэхугъэрэ гуапагъэрэ изщ, а фIыгъуэхэмкIи цIыхухэм ядогуашэ. А псом и щIыIужкIэ, Къардэныр Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьщ. И къуэшитIым ящIыгъуу ар щIэзэуащ лъэпкъым и къэкIуэну дахэм. Анэ насыпыфIэт къэзылъхуари, лIыгъэ зыхэлъ и бынищми псэууэ Хэкум къагъэзэжат. Къардэн Хьэсэнрэ Балэ Мухьэдинрэ щэнхабзэм и курыхыр «къатIэщIащ». Хьэсэн кIуэрт композицэхэмкIэ дерсхэр Iэзэу езыгъэкIуэкIыу щыта музыкант, композитор, щIэныгъэлI, цIыхушхуэ Кушнарев Христофор и лекцэхэм. УэрэдкIэ къыщIэзыдзэу щэнхабзэм куууэ хэбэкъуа ди нэхъыжьыфIым сохъуэхъу иджыри илъэс куэд къигъэщIэну. ХьэIупэ ДжэбрэIил и гукъэкIыжхэм къызэхуэсахэр щIигъэдэIуа нэужь, УФ-м и цIыхубэ артист Темыркъан Борис зи пашэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и симфоние оркестрым игъэзэщIащ Хьэсэн и «Праздничная увертюра» макъамэр. Абы къыкIэлъыкIуащ «Долина счастья» симфоние поэмэри. Саугъэт сурэт дахэ иIыгъыу утыкум къеблэгъащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Тау Пщыкъан. — Нобэ сэ къызгурыIуащ си гъащIэм щыуагъэ зыбжанэ зэрыщысIэщIэкIар. Махуэ щIагъуэ дэмыкIыу а цIыху хьэлэмэтым сыIущIэфакъым. Хьэсэни, Темыркъан зэкъуэшхэри, сурэтыщI куэди, нэгъуэщI композиторхэри сцIыхуащ, сахэтащ, арщхьэкIэ, Тхьэм зэчий къыббгъэдимылъхьамэ, сыт пщIэн?! Сигуи си пси къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу си ныбжьэгъуфI Хьэсэн узыншагъэрэ дэрэжэгъуэрэ иIэну. Ар цIыху хьэлэмэтщ, композитор Iэзэщ, гъэсакIуэ емызэшыжщ, — жиIащ Таум. Къардэн Хьэсэн и дэтхэнэ IэдакъэщIэкIри нэхущ, абыхэм композиторым и гушыIэ дахэхэри къыхощ. Апхуэдэщ пшыхьым щыIуа концерт лезгинкэр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Темыркъан Петр и дирижеру симфоние оркестрым игъэзэщIар. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 1970 гъэм мэлыжьыхьым и 29-м япэ лъэпкъ оперэм, «Мадинэ»-м, и премьерэр щыIауэ щытащ. Ар зэдатхат Къардэн Хьэсэнрэ Балэ Мухьэдинрэ. Республикэм и пщIэр зыIэта а оперэм щыщ арие гум хыхьэу пшыхьым щигъэзэщIащ Музыкэ театрым щылажьэ Мамбэт Мадинэ. Анэм хуиIэн хуей гулъытэр, лъагъуныгъэр, гуапагъэр Къардэным зыхилъхьа «Руки матери» и уэрэдри бзылъхугъэм фIы дыдэу къехъулIащ. Республикэм и профсоюзхэм я Федерацэм и унафэщI Амщыкъуэ ФатIимэт и IуэхущIапIэм къыбгъэдэкI хъуэхъум къеджащ: «ПщIэ зыхуэтщI Хьэсэн, уи IэдакъэщIэкIхэр республикэм и макъамэ гъуазджэм дежкIэ налкъутналмэсщ. Абыхэм яхыболъагъуэ зэфIэкI инрэ гу къабзагъэрэ. Дэ дропагэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Гимныр уэ зэрыбусам. Узыншагъэ мыкIуэщI уиIэну, гухэхъуэгъуэрэ фIыгъуэу щыIэмрэ къыбдэгъуэгурыкIуэну дыпхуохъуахъуэ». Композитор цIэрыIуэ Молэ Владимир и концерт лезгинкэр къыщыIуащ пшыхьым. УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марианнэрэ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Бесчокъуэ Маерэ жаIащ Хьэсэн и «Кърухэр» уэрэдыр. Шэджэм районым и лIыкIуэ Уэдыжь Хьэсанш къыхигъэщащ куейр я цIыху пажэм зэрыригушхуэр, зэрырипагэр. — Ныбжьэгъу лъапIэхэ, хьэщIэхэ! Къардэнхэ лъэпкъ дахэщ, лъэрызехьэщ, инщ. Абы яIэщ лIыхъужьхэри, спортсмен цIэрыIуэхэри, сурэтыщIхэри, композитор Iэзэ Хьэсэни. Сохъуэхъу дяпэкIи ахэр ефIэкIуэну. Сыхуейт Хьэсэн иджыри илъэс IэджэкIэ и IэдакъэщIэкIкIэ дигъэгуфIэну, абы хуэдэхэр тхъумэн, дгъэгушхуэн хуейщ, — жиIащ Хьэсанш. ЗэрытщIэщи, Къардэн Хьэсэн и гуащIэшхуэ ирихьэлIащ балъкъэр лъэпкъым я щэнхабзэр хъума хъуным. Балэ Мухьэдинрэ абырэ щIыпIэ куэд къызэхакIухьащ, балъкъэр лъэпкъ макъамэхэр зэхуахьэсыжу. Ахэр иужькIэ симфоние поэмэ, ислъэмей хъуащ. Апхуэдэу къыхэгъэщыпхъэщ Хьэсэн и «Балкарские напевы» лэжьыгъэр. Пшыхьым щIэсахэм ягу ирихьащ «Къызбрун» спектаклым Балэ Мухьэдин щIигъэува «Марш»-р. Оркестрым игъэзэщIахэм ящыщщ ХьэIупэ ДжэбрэIил и зы увертюри. ЦIыхухэр яфIэхьэлэмэту едэIуащ Къардэным 1952 гъэм зэхилъхьа «В родном краю» симфоние теплъэгъуэм. Хьэсэн ипхъу Заремэ фIыщIэ яхуищIащ и адэр зыгъэлъапIа псоми, абы къыхигъэщащ и адэм ар гуапэ зэрыщыхъунур. БАГЪЭТЫР Луизэ. Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25673.txt" }
Мы махуэхэм Гъатхэпэм и 2, щэбэт 1563 гъэм Грозный Иванрэ Гуащэнэрэ (Мариерэ) я къуэ Василий къалъхуащ. 1911 гъэм Пятницкэм и хорыр япэу утыку къихьащ. Тхыдэдж, Кавказым и этнограф, адыгэхэм ятетхыхьа Люлье Леонтий къызэралъхурэ илъэс 208-рэ ирокъу. СССР-м и япэ икIи и иужьрей президент Горбачев Михаил и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирокъу. Адыгей усакIуэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен къызэралъхурэ илъэс 93-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 7 — 8, жэщым 0 — 5 щыхъунущ. Гъатхэпэм и 3, тхьэмахуэ Урысейм и МВД-м и къэрал кIуэцIыдзэхэм я авиацэм и махуэщ Болгарие Республикэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — уэсмэн пащтыхьыгъуэм и бжьым къызэрыщIэкIрэ илъэси 135-рэ зэрырикъур ягъэлъапIэ. УсакIуэ Мысачэ Петр къызэралъхурэ илъэс 83-рэ ирокъу. Кинорежиссер, тхакIуэ, композитор, ЩIДАА-м и академик Къандур Мухьэдин и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Молей Алихъан и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 — 6, жэщым 0 — 2 щыхъунущ. Гъатхэпэм и 4, блыщхьэ 1846 гъэм «Кавказ» газетым тридзащ Къаз-Джэрий «Зи щIыхьыр ин къэрал тетым и деж» и письмор. 1918 гъэм Тэрч ЦIыхубэ Республикэр къэунэхуащ. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор КIуэкIуэ Тэлэдин и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щоджэн Вячеслав и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу. Радиожурналист Хьэмту Къадир и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 — 3, жэщым 1 — 3 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25677.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Илъэс 20-р ягъэлъапIэ Адыгей. Республикэм и Парламентыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 20 ирикъуащ. Абы теухуауэ Къэрал Советым — Хасэм махуэшхуэ зэхыхьэ щекIуэкIащ. Зэхуэсым хэтащ Адыгейм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий, республикэм и япэ президент Джарым Аслъэн, къулыкъущIэхэр, Краснодар крайм и лIыкIуэхэр. ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIа хабзэгъэув IэнатIэм и унафэщI Нарожный Владимир къызэхуэсахэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъури, щIыхь дамыгъэхэр зыхуагъэфэщахэм яритащ. «Адыгей Республикэм и Къэрал Совет-Хасэ. Илъэс 20» фэеплъ дамыгъэр цIыхуитхум хуагъэфэщащ. Абыхэм ящыщщ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрийрэ Джарым Аслъэнрэ. Шынагъуэр къахутэ Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм щыIэ РАН-м и астрофизикэ лабораторэ щхьэхуэм хьэршым къикI шынагъуэхэр къэзыхутэ Iэмэпсымэ щагъэуващ. Еджагъэшхуэ гупым ягъэхьэзыращ уэгум узэрыкIэлъыплъ Iэмэпсымэ. Абы Iэмал къует хьэршым къикI шынагъуэхэр къэхутэнымкIэ. Къаруушхуэ зиIэ камерэхэмкIэ зэхэгъэува Iэмэпсымэм псынщIэу къихутэфынущ ЩIым гъунэгъу къыхуэхъу пкъыгъуэр, ар щехуэхыну щIыпIэмрэ зэманымрэ иубзыхунущ, икIи, абыхэм шынагъуэ япылъмэ, хъыбар къитынущ. Тамбиев Руслан хахыж Дыгъуасэ КъШР-м и щыхьэрым и депутатхэм зэдэарэзыуэ Черкесск къалэм и Iэтащхьэу хахыжащ Тамбиев Руслан. А къулыкъум зэрыпэрытынум теухуа зэгурыIуэныгъэм и пIалъэр зэрикIам къыхэкIыу, Тамбиевыр щIышылэм и 1-м къулыкъум пэрыкIащ. Иджырей зэпеуэм цIыхуиплI хэтащ. Комиссэм Тамбиевыр къыхихащ икIи къалэм и Iэтащхьэ къулыкъур аргуэру дзыхь хуищIащ. Абы илъэситхукIэ зэгурыIуэныгъэ иращIылIащ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25679.txt" }
Iуэху дахэм и къежьапIэ Налшык къалэ дэт 12-нэ курыт еджапIэм дыгъуасэ Iэтауэ къыщызэIуахащ художественнэ гимнастикэмкIэ центр. Пщащэхэм папщIэ щыIэ а спорт лIэужьыгъуэмкIэ центр щхьэхуэр къыщызэIуахым кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и щхьэгъусэ Къанокъуэ ФатIимэ, министерствэхэм я лIыкIуэхэр, егъэджакIуэхэр, адэ-анэхэр. ХьэщIэхэр школым и щIыхьэпIэм деж къыщызэтеувыIэри, еплъащ школыр къэзыухауэ иджы къулыкъу зэхуэмыдэхэм пэрыт, республикэм щыцIэрыIуэ цIыхухэм я сурэтхэм. Блыным фIэлът школым и цIэр фIыкIэ зыгъэIу, унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэпеуэхэм щытекIуэ, фIыуэ еджэ ныбжьыщIэхэм я сурэтхэри. Художественнэ гимнастикэмкIэ ныбжьыщIэхэр щагъэсэну, абы папщIэ зыхуеинухэмкIэ фIыуэ къызэгъэпэща спорт пэшым и щIыхьэпIэм ищIа лентI плъыжьыр Къанокъуэ ФатIимэ зэпиупщIа нэужь, хьэщIэхэр пэш хуитышхуэм ирагъэблэгъащ. Абыхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ 12-нэ курыт школым и унафэщI Шыгъушэ Аслъэнбэч. Абы къыхигъэщащ Налшык къалэ нэхъыжь дыдэу дэт школхэм ящыщ зым, егъэджэныгъэ лэжьыгъэм къыдэкIуэу, IуэхуфI куэд зэрыщызэфIагъэкIыр, иджы художественнэ гимнастикэмкIэ дерсхэри зэрыщекIуэкIынур. — Хуабжьу си гуапэщ мыпхуэдэ Iуэху дахэ сызэрыхэтыр, — жиIащ Къанокъуэ ФатIимэ. — Сабийхэм я зыужьыныгъэм тебгъэкIуадэ къарур зэи пщIэншэ хъуркъым. Нобэ сабийхэр щагъэсэну къызэIуах центрыр икъукIэ щхьэпэ хъуну къызолъытэ. Узыншагъэ къазэрыхуихьынум нэмыщIи, гимнастикэр сэбэп хъунущ хъыджэбз цIыкIум и Iэпкълъэпкъыр дахэу щытынымкIэ, и гупсысэм зиужьынымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. Сэ сызэреплъымкIэ, пщащэ куэдым жэрдэм къакъуэкIынущ мы центрым къэкIуэну. Си фIэщ мэхъу мы школым дяпэкIэ къыщIэкIыну сабийхэм республикэм, къэралым, дуней псом зи цIэр фIыкIэ щызыгъэIунхэр къазэрыхэкIынур. Ди гъащIэм гуапагъэ, макъамэ, насып нэхъыбэ хэтыну Тхьэм жиIэ. Абы щыгъуэм мыхъумыщIагъэмрэ залымыгъэмрэ дунейм лей щыхъунущ. КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъанрэ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Улаков Юсупрэ бысымхэм ехъуэхъуащ икIи жаIащ а министерствэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зыкъызэрыщIагъэкъуэнур. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ 12-нэ курыт школыр къэзыуха, Олимп Джэгухэм я чемпион Къардэн Мурат: — Илъэс куэд и пэкIэ къэзуха школым мыпхуэдэ IуэхукIэ сыкъызэрыкIуар хуабжьу си гуапэщ. Спортыр сыт щыгъуи цIыху гъащIэм хэтын хуей Iуэхуу къысщохъу. ИкIи хъыджэбз цIыкIухэр куэду абы зэрыхэмыхьэр сигу къеуэрт. А хэт мащIэри атлетикэ хьэлъэмрэ бэнэнымрэ дихьэхыу арат. Иджы икъукIэ IэмалыфI диIэ хъуащ ди пщащэхэр Iуэху дахэм дедгъэхьэхынымкIэ. Адэ-анэхэм къабгъэдэкIыу Къэрэгъул Хъусен фIыщIэ яхуищIащ кърахьэжьа IуэхумкIэ закъыщIэзыгъэкъуа псоми. ЗэIущIэр ягъэдэхащ художественнэ гимнастикэм зыхуэзыгъасэ цIыкIухэм, школым и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25681.txt" }
Макъамэ Iэмэпсымэхэр къэзыгъэщIэрэщIэж Еуаз Зубер ШыкIэпшынауэ цIэрыIуэ Еуаз Зубер ди хьэщIэщым къедгъэблагъэри, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. Абы къыджиIахэм фыщыдогъэгъуазэ. ИжьрабгъумкIэ щытыр Еуаз Зуберщ. — Зубер, адыгэм и макъамэ Iэмэпсымэхэм узэрыдахьэхамрэ ахэр IэщIагъэ зэрыпхуэхъуамрэ къыджепIамэ, ди гуапэт. — Макъамэм пасэу сыдихьэхащ. СыцIыкIуу, иджыри тэмэму сымыпсэлъэфу, «сэ мыпхуэдэу сеуэну сыхуейщ» жысIэурэ IэпэкIэ згъэлъагъуэрти, гитарэ я гугъэри къысхуащэхуауэ щытащ. Сэ нэгъуэщIт сызыхуейр, зэреджэр сщIэртэкъым армыхъуам. Си адэ-анэм дохутыр къысхэкIмэ нэхъ къащтэрт, ауэ сыукъуэдийри, Музыкэ школым зезгъэшащ. Ауэрэ скрипкэм сыздыхуеджэм шыкIэпшынэри зэхэсха хъуащ. Сызигъэсэн Бетрожь Аслъэн зэуэ макъамэ Iэмэпсымэхэр сэри сфIэгъэщIэгъуэнт. Псом хуэмыдэу шыкIэпшынэм нэхъ сыдихьэхати, ар зэзгъэпэщыну си хъуэпсапIэт. Хъурей Феликс 1982 гъэм Ойберман Владимир Одессэ къришауэ щытащ «Бжьамий» ансамблыр зыхуеину макъамэ Iэмэпсымэхэр иригъэщIыну. Абы 90 гъэхэм сыхуэзэри, шыкIэ- пшынэ схуищIыну селъэIуащ. Ойберманым сыкIэлъыплъурэ, сэри а Iуэхум сызэрыдихьэхам гу щылъитэм, сигъэсэну жиIащ. Хуэмурэ сыдихьэхыпэри, шыкIэпшынэр, Iэпэпшынэр, пшынэ дыкъуакъуэр, пхъэцIычыр, нэгъуэщI адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэр тщIын езгъэжьащ. Абхъазми ди шыкIэпшынэм хуэдэ яIэщ, зы лъэпкъыу дызэрыщытым и нэщэнэу. Адыгейм и музейм щIэлъ Iэмэпсымэхэми сеплъащ. ХьэхъупащIэ Хьэсэнрэ Щауэжь Елмырзэрэ ящIа шыкIэпшынэхэр, Серебряков (Даутокъуэ) Заурбэч и Iэпэпшынэр, нэгъуэщIхэри ди Лъахэхутэ музейм щахъумэ. Пасэрей адыгэ шыкIэпшынэм и сурэт къысIэрыхьэри, абыи иджыблагъэ къытесщIыкIыжащ. КIуэ аракъэ, зы илъэси 100-м щIигъуа хъунщ апхуэдэ шыкIэпшынэ иужь дыдэу зэращIрэ. Пасэрей шыкIэпшынэм уи закъуэу уеуэн хуейуэ аращ. XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Щауэжь Елмырзэ шыкIэпшынэм цIыхуитI-щы уздеуэфын хуэдэу зы жыпхъэ гуэрым иригъэувэри, а Iэмэпсымэм и къэухьым зригъэубгъуат. Иджыпсту сызэлэжьыр апхуэдэ шыкIэпшынэщ, ансамбль къызэбгъэпэщынумэ е гупу утыку уихьэнумэ къэбгъэсэбэп хъуну. — Адыгэм и гъащIэм шыкIэпшынауэм щиубыду щыта увыпIэмрэ нобэ иIэ хъуа мыхьэнэмрэ къытхутепсэлъыхьыт. — Дауи, пасэ зэманым джэгуакIуэм, шыкIэпшынауэм адыгэм и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIащ. ХьэгъуэлIыгъуэм, хьэщIэщым щащI джэгум, зекIуэм, тхьэлъэIум, лъэтеувэм, дунейм ехыжа цIыхум и дауэдапщэм ирагъэблагъэ джэгуакIуэм, шыкIэпшынауэм и пщэм къалэнышхуэ къыдэхуэрт. ЦIыхур дунейм къытехьа нэужь, нэжджан (языныкъуэ щIыпIэхэм уэжджан щыжаIэрт) жыхуаIэ тхьэлъэIур ящIырт, уэрэд жаIэу, шыкIэпшынэ еуэу. Сабийхэр уэрэдкIэ, макъамэкIэ къагъафэу, ягъэджэгуу щытащ. Нану цIыкIухэр щагъэжейкIэ гущэкъу уэрэдхэр шыкIэпшынэм кърагъэкIырт. КъищынэмыщIауэ, зекIуагъащIэхэр техьэулеикIыу зы щIыпIэкIэ кIуэуэ щалъагъукIэ, уэрэд жраIэурэ кърагъэгъэзэжырт. Уэрэдымрэ макъамэмрэ щIэблэр нэхъыбэу щIэзыпIыкIыр анэшхуэ-адэшхуэхэрат. Псалъэм папщIэ, «Уэ Iэпхъуамбэ пIащэ, Уэ шэпIащэрыуэ», — жаIэурэ къагъэтэджырт. Сабийр къыдэкIуэтея нэужь лъэтеувэ хуащIырт. И ныбжьэгъу цIыкIухэр зэхуашэсырти, Iэнэ хуагъэувырт, джэгу ящIырт, къагъафэрт. ШыкIэпшынауэм иджы игъуэта мыхьэнэм и гугъу щыпщIкIэ, къыхэгъэщын хуейщ ансамблхэр, гуп щхьэхуэхэр, уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ куэду къызэрыунэхурэ шыкIэпшынауэм и ипэрей къалэныр зэрыфIэкIуэдар. Апхуэдэу хъуами, къыхэгъэщыпхъэщ, илъэс зыбжанэ и пэкIэ шыкIэпшынэр зищIысыр зыщIэу, абы еуэфу республикэм исар IэпхъуамбипщIкIэ къыпхуэбжыфыну зэрыщытар. Иджы а Iэмэпсымэр куэдым къащтэж. ПIалъэ-пIалъэкIэ зыгуэрым дихьэхми, цIыхухэр щIэщыгъуэщIщ. Япэ щIыкIэ цIыхухэр шхапIэхэм шыкIэпшынэ щедаIуэу ирагъа- жьэрэ , ари яIэщIэужэгъуащ. Иджы пщыхьэщхьэм шей, гъэшхэкI хуэдэхэр Iэнэм трагъэувэрэ щIалэгъуалэм хъыбарыжь едаIуэу, адыгэ уэрэдыжь жаIэу зэхэсу куэдрэ Абхъазми, Адыгейми, Къэбэрдейми, нэгъуэщI щIыпIэхэми ущрохьэлIэ. Ар Iуэху дахэщ. — Дэнэ щIыпIи шыкIэпшынэ ущеуэныр къемызэгъыу, ар къыщыпщтэ хъун хабзэ пыухыкIа щыIэу щытащ. Абы и гугъу къытхуэщIыт. — Иджыпсту ресторанхэм, шхапIэхэм шыкIэпшынэ зэрыщеуэм хуэмыдэу, пасэм а Iэмэпсымэм щIыпIэ хэха иIэт. Ар щIыбым, уэрамым щызэкIуэцIахыныр емыкIуу къалъытэрт. Нэхъыбэу шыкIэпшынэр къыщащтэу щытар хьэщIэщращ. Ауэ япэрей, иджырей хьэщIэщхэр яIа мыхьэнэмкIэ зэщхьыжкъым. Пасэрей уэрэдыжьхэми къыхощыж ар. Пщы, уэркъ щIагъуэ щыIэу щытакъым шыкIэпшынэ емыуэу. АтIэми, зекIуэ щыхъукIэ, джэгуакIуэ къыздащтэрт. IуэрыIуатэми тхыдэми къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэм игъащIэм къыхуихуакъым джэгуакIуэ къыздимыщтэу зекIуэ ежьэну. Гъуэгу техьахэм хъунщIакIуэ е бий къахуэзэу зэтраукIэмэ, къелынур шыкIэпшынауэм и закъуэт. ДжэгуакIуэм зэуэну хуитыныгъэ иIакъым, уэрэд жиIэу къеIусэнIауэ хуиту щытакъым. Ауэ хамэ щIыпIэхэм къикIа зэуакIуэхэм япэу джэгуакIуэм щытрагъапсэ щыIэт. Урысхэр, тыркухэр, нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэр ди хабзэм щыгъуазэтэкъым, яжепIэкIи къагурыбгъэIуэфынутэкъым. А хабзэм адыгэ джэгуакIуэр зыкъомкIи къихъумэу щытагъэнущ: ар шыкIэпшынэ еуэу, уэрэд жиIэу зы жыг лъабжьэ гуэрым щIэст, и хъуреягъым къыщекIуэкI Iуэхум хэмыIэбэу. Ауэ, псори зэтраукIа нэужь, джэгуакIуэм и къалэнт, зы цIыху нэхъ мыхъуми къеламэ, ар зыхуей хуигъэзэну. ИужькIэ къыпэщылът къызыдэкIа жылэм игъэзэжу Iуэхур къызэрекIуэкIар къыхэщыжу уэрэд иусыжыну. ЛIыхъужьыгъэ зезыхьэу псэуа цIыху е пщышхуэ дунейм ехыжа нэужь, джэгуакIуэхэр зэхуэсурэ гъыбзэ хуаус хабзэт. Мазэ бжыгъэкIи щызэхэс щыIэт, уэрэдыр и кIэм нагъэсыху зэбгрымыкIыжу. Сымаджэ хьэлъэм щIопщакIуэ хуащIу щытащ. ЦIыхухэр зэхуэсырти, сымаджэм епщэурэ (макъамэ щIэту) узыр щхьэщахырт. ШыкIэпшынауэр, джэгуакIуэр а Iуэхум и курыкупсэм хэтт. УIэгъэ хьэлъэм шэ къыхахыжыху шыкIэпшынауэр щхьэщыст. ЦIыхур псым итхьэ-ламэ, псыхэгъэ ящIырт. ДжэгуакIуэр псы Iуфэм Iуту ехырт шыкIэпшынэ еуэу, уэрэд жиIэу. Апхуэдэу хьэдэр къагъуэтыжырт. Пщымрэ уэркъымрэ джэгу щащIыр хьэщIэщрат. Уэркъхэр мыхъумэ, пщыхэр къафэу щытакъым. «Пщы нэсыр къафэркъым, хьэфIыр банэркъым» уэрэдыжьми къыхощыж ар. Уэрамым джэгу щызыщIыр цIыху къызэрыгуэкIхэмрэ лъхукъуэлIхэмрэт. ХьэщIэщым къыщеуэу щыта макъамэмрэ щIыбым, уэрамым къыщыIумрэ фIыуэ зэщхьэщыкIырт. ХьэщIэщ уэрэдхэр гъыбзэу къафIэщIми, ахэр цIыхухэр зыщIэзыгъэгупсысыж, зыкъезыгъэщIэжт. ЦIыхухэр нобэ есащ зэдаIуэ уэрэдыр щыхуейм деж ягъэувыIэну е къыщIрагъэдзэжыну. Сэ сышыкIэпшынауэщи, илъэс миным щIигъуа пшыналъэм сеуэу уэрэдыжьым и курыкупсэм сыздыхэтым, «Зэ гъэувыIэт», — жаIэу щIалэхэр къызэрыувыр емыкIуу къызолъытэ. Пасэм тезырышхуэ тралъхьэнкIэ хъунут пшыналъэр зэпызыудым. ШыкIэпшынауэм нэхъапэм пщIэшхуэ хуащIу щытащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а Iуэхум нобэ зихъуэжащ. — Нэгъабэ япэу ди республикэм щагъэлъэпIащ Лъэпкъ фащэм и махуэр. ЩIалэгъуалэм адыгэ фащэр къызэращтэжыр, шыкIэпшынэм зыхуагъэсэну гукъыдэж зэраIэр узыгъэгуфIэ Iуэхущ. Мы Iэмэпсымэр адыгэм Iэпэгъу яхуэщIыжыным теухуа лэжьыгъэ зэребгъэкIуэкIым дыщыгъуазэщ… — Зы илъэситхукIэ узэIэбэкIыжмэ, фащэр IэщIыб зэращIам и нэщэнэу, ар зезыхьэу плъагъур закъуэтIакъуэт. Дуней псом къащта ди лъэпкъ фащэр адыгэм зетхьэжыныр щIыхь зыпылъ Iуэхущ, щIалэгъуалэм ар зэрызыщатIэгъэжар гуапэщ. ХьэгъуэлIыгъуэ, лъэпкъ зэхуэс, адыгэбзэм и махуэ, лъэпкъ щIэж жыпIэми нэхъыжьхэми, щIалэгъуалэми, нэхъ цIыкIу дыдэхэми фащэр къащыпсу зэхыхьэхэм къызэрекIуалIэм уегъэгуфIэ. БизнесымкIэ институтым и ректор Хъурей Феликс дыхуэарэзыщ мы Iуэхур гъэкIуэтэнымкIэ къызэрыддэIэпыкъуам, шыкIэпшынэм щыхуедгъэджэну пэш еджапIэм зэрыщытхухихам папщIэ. КъищынэмыщIауэ, макъамэ Iэмэпсымэхэм дыщелэжьыну лъэщапIэрэ пхъэкIэ дыкъызэригъэпэщащ. Сыт щыгъуи дызыхуей-дызыхуэфIхэмкIэ и нэIэ къыттетщ, Iуэхур зэредгъэфIэкIуэнум теухуа и чэнджэщхэр къыдехьэлIэри, Тхьэр арэзы къыхухъу. Абы зэрыжиIэмкIэ, лъэпкъыр щылъэпкъыр езым и макъамэ Iэмэпсымэ, и пшыналъэ щиIэжым и дежщ. Ар дэркIэ куэд и уасэщ. ЩIалэгъуалэ куэдым я хъуэпсапIэщ адыгэ уэрэдыжьхэр жаIэну. Ар ди тегъэщIапIэу, пщыхьэщхьэ зэхуэсхэр щедгъэкIуэкIыну хьэщIэщ цIыкIуи къызэдгъэпэщыну ди мурадщ. Иджыпсту нэхъыжьхэми ныбжьыщIэхэми гукъыдэж яIэщ шыкIэпшынэм зыхуагъэсэну. Илъэсий, илъэс пщыкIутху хъухэм къадэкIуэу, илъэс плIыщIым нэблэгъахэри къокIуалIэ. Си деж зы тхьэмадэ къэкIуащ илъэсиплI ныбжьым ит и къуэрылъху хъыджэбз цIыкIум шыкIэпшынэ хуищIыну къыпиубыдауэ жиIэри. ГъэщIэгъуэнракъэ, я унагъуэм илъкъым а Iэмэпсымэр, щызэхихари щилъэгъуари къахуэщIэркъым. «Зэ мыхъуми шыкIэпшынэр къыIэщIэлъхьи егъэплъ», — щыжиIэм, си деж къишэну дызэгурыIуащ. Пэжыр жыпIэмэ, баш текъузэкIэ къахумрэ езыр-езыру къакIуэмрэ куэду зэщхьэщокI. Макъамэ Iэмэпсымэм зыхуэзыгъэсэну гукъыдэж зиIэхэм псынщIэу къащтэ, гукIи псэкIи хуейуэ. Япэу къыщыкIуэкIэ тIэкIу гузавэми, етIуанэ къэкIуэгъуэм и деж къафэм и ныкъуэр е къафэм и кIэм нэс зрагъэщIауэ мэкIуэж. Гупу мыхъуу, щхьэхуэу цIыху къэс сыщIыдэлажьэр нэхъ псынщIэу къищтэн папщIэщ. Зы мазэм къриубыдэу къафи 3-м щыщIэдзауэ 10-м нэс зэзыгъэщIахэр яхэтщ. Иджыпсту цIыху тIощIым нэблагъэ си деж къокIуалIэ. ЗэкIэ Iэмэпсымэм хуеджэн зэпызыгъэуахэри яхэтщ, шыкIэпшынэ зрагъэпэщмэ, пащэжын я мураду. Гъэмахуэм зэрызагъэпсэхуну мазэр къагъэсэбэпу Iэмэпсымэм хуеджэнухэри куэду щыIэщ. Мейкъуапэ щыщ щIалэхэми я нэ къокI Налшык къакIуэу си деж зыщагъэсэну. Республикэм ис ныбжьыщIэхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Нэмыс» центрым иджыблагъэ срагъэблэгъащ. Сабийхэр шыкIэпшынэм езгъэдэIуащ, Iэмэпсымэр яIэщIэслъхьэурэ зэреуэнур езгъэлъэгъуащ. КъищынэмыщIауэ, «Хьэтхэр» ансамблым и гъэсэнхэми шыкIэпшынэр едгъэцIыхуащ. НыбжьыщIэхэм шыкIэпшынэм и макъыр ягу зэрырихьам и мызакъуэу, макъамэм къыдэфэну хуейхэри куэд хъурт. ШыкIэпшынэм зезыгъэсэну, а Iэмэпсымэр зэзыгъэпэщыну зи хъуэпсапIэхэри къахэкIащ. Иджырей сабийхэм сохъуапсэ си щхьэкIэ: абыхэм я ныбжьым сыщитым сэ шыкIэпшы- нэр зэхэсхат, ауэ слъэгъуатэкъым. — ШыкIэпшынэ зэращIым и щэхухэми щIалэхэр хэбгъэгъуазэрэ? — Зы Iуэху гуэрым и ужь ущихьэкIэ гурэ псэкIэ абы ухуэхьэзыру щытын хуейщ, арыншамэ, къохъулIэнукъым. ШыкIэпшынэ пщIыну къызэрымыкIуэу гугъущ. Пэщэщэнейщи, зы шыкIэпшынэм зэману мазиблым нэблагъэ пфIехь. УпхъащIэ къудейкIи зэфIэкIынукъым. Макъамэр-щэ? Ар дауэ къызэрибгъэкIынур? Пхъэм тIэкIу тепха нэужь, утеуIуэурэ нэсарэ нэмысарэ зэхэбгъэкIын, макъым уедаIуэурэ зэтебухуэн хуейщ. Пхъэм езым къыбжеIэ ар. ИтIанэ, и щхьэри и лъабжьэри зэщхьэщумыгъэкIыу зэхуэбгъэдэн хуейщ. ТIэкIу зэтекIамэ, зы щыуагъэ тIэкIу пIэщIэкIрэ укъигъапцIэмэ, мазэ бжыгъэкIэ узэлэжьа Iэмэпсымэр зыри мыхъужу хыфIэбдзэжын хуей хъунущ. Апхуэди къыщысхуихуа къэхъуащ. ШыкIэпшынэ ящIыну гукъыдэж яIэу къакIуэ щIалэхэм яжызоIэ пхъэм щыхащIыкIкIэ, абы щрилэжьэфкIэ, езгъэлъагъуурэ езым ящIыжмэ зэрынэхъыфIыр. Тызогъэгушхуэри, хъарзынэу ящI. ЦIыху къэс я Iэпхъуамбэхэр зэхуэдэкъым: хэт ейр нэхъ кIэщIщ, хэт ейр нэхъ кIыхьщ. Езым и Iэпэм хуэкIуэ шыкIэпшынэ ищIмэ, нэхъ тыншу еуэнущ. ИтIанэ, илъэс 15-кIэ гъуа пхъэ дакъэжь уи IэкIэ псэ зыхэплъхьэжар, дауи, къэбгъэсэбэпыну нэхъ гуапэщ. Ар и кIэм нэбгъэсауэ япэ макъыр къыщибгъэкIым и деж абы псэр зэригъэгуфIэмрэ гупсэхугъуэу къуитымрэ пэпщIын щыIэкъым. Сабий къалъхуагъащIэм хуэдэщ ар. Аращ «Къэпщэхумэ нэхъ къэпщтэну, хьэмэрэ уи гум, уи псэм щыщ Iыхьэ зыхэплъхьа шыкIэпшынэм уеуэжмэ нэхъыфI?», — жысIэу сащIеупщIыр. Абы и мызакъуэу, Iэпэпшынэ, пшынэ дыкъуакъуэ, пхъэцIыч, нэгъуэщIхэри дощI. Фэнд пшынэри тщIыну ди гугъэщ. Ар зэращIым и кIапэлъапэхэр къэзгъуэтыжащ. Фэм елэжьу Жанхъуэтекъуэ щыщ си ныбжьэгъу Бадий Мухьэмэд и деж дыкIуэри депсэлъащ. Фэр бгъэхьэзырмэ адрейхэр гугъукъым. Лондон, Шотландием дыщыкIуами, фэнд пшынэм и щIыкIэм деплъащ. — Упсэу, Зубер! Макъамэ Iэмэпсымэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, абы цIыхухэр хуегъэджэным теухуа фи лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ къыпэкIуэну ди гуапэщ. Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25686.txt" }
БгыцIыкIущхьэм Псыгуэнсу къуажэм узэрыдыхьэу гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым, къэрэгъул нэхъей, сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкIэ декIуэкI бгы лъагэм. Абы и лъабжьэм щIэтщ метр 50 хуэдиз зи лъагагъын, къуажэдэсхэр «бгыцIыкIущхьэкIэ» зэджэу зи щыгур тафэ дахэр. 1935 — 1936 гъэхэм а щIыпIэм Iуэху дахэ куэд щызэхаублэу, батэр щагъэшу щытащ. Накъыгъэ (май), щэкIуэгъуэ (ноябрь) махуэшхуэхэр ехьэжьауэ щагъэлъапIэрт. Нобэр къыздэсми гъэ къэсыху гуфIэгъуэ Iуэху щызэхаублэ а бгыцIыкIущхьэм: ТекIуэныгъэм и махуэм и щIыхькIэ шыгъажэ щрагъэкIуэкI, щIалэгъуалэм спорт зэхьэзэхуэ щызэхашэ. Зауэм и пэ илъэсхэм дгъэзэжынщи, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр зэрекIуэкIыр мыпхуэдэут: колхозым бригадэ 11 иIэти, сатыр дахэу бгым дэкIырти, псоми я лэгъупыIэмпIэхэр зэфIэдзауэ хухаха щIыпIэм щитIысыкIырт, ерыскъымрэ махъсымэмрэ я Iэнэхэр къикъутэу. Псы IэфIри IэфIыкIэри я куэдти, сабийми я IутIыжт. Апхуэдэ гуфIэгъуэ гуимыхуж махуэу щытащ 1936 гъэм накъыгъэм и 2-р. «Мысостышхуэ Былэ парашюткIэ самолётым къелъэнущ» жаIэу щызэхахым, жьыри щIэри зэрыдэхат бгыцIыкIущхьэм. Былэ колхозхэт хъыджэбз цIэрыIуэт. Арати, а махуэм сыхьэтыр 11-хэм ирихьэлIэу къащхьэщыхьа кхъухьлъатэм парашютыр и плIэм дэлъу пщащэр къелъэри, цIыху Iув зэхэтым япэмыжыжьэу къыщетIысэхащ. Апхуэдэ телъыджэ жылэм дэсхэм иджыри ялъэгъуатэкъым. Къуажэ Советым и унафэщI Къущхьэ Хьэзешэрэ Сталиным и цIэр зезыхьэ колхозым и тхьэмадэ КъардэнгъущI Муридрэ Былэ и Iэблэ зырызыр яIыгъыу, Iэгуауэшхуэм щIэту утыкум кърашэри, псалъэ иратащ. ЛIыгъэшхуэ къызылъыкъуэкIа хъыджэбзым къызэхуэсахэм яжриIащ Кремлым ирагъэблагъэу Калинин Михаил Ленин орденыр и бгъэм къызэрыхилъхьар, езы Сталин дыдэми «Афэрым, хъыджэбзыфI!» жиIэу и Iэр къызэриубыдар… Илъэс 50-м щIигъукIэ къуажэ курыт школым адыгэбзэкIэ щезыгъэджа Хьэсанэ Хьэбашэ къысхуиIуэтэжауэ щытащ и нэгу щIэкIа мы хъыбарыр. Республикэм Бэракъ плъыжь зэIэпахыр къыхуагъэфэщауэ, 1938 гъэм накъыгъэ мазэм, гуфIэгъуэшхуэ щызэхашат бгыцIыкIущхьэм. Къуажэ гъунэгъухэм къикIахэри яхэту, хьэщIэ зыкъоми къахуеблэгъат. ГъэщIэгъуэныракъэ, апхуэдиз ерыскъырэ фадэрэ къыщаIэт щIыпIэм зы чэф щыплъагъунутэкъым. Абы щыгъуэ емыкIушхуэу ябжырт уефауэ нэхъыжьым зыкъебгъэлъагъуну. ГуфIэгъуэр здекIуэкIым, шэджагъуэхэм ирихьэлIэу, бгыцIыкIущхьэ тафэм зы кхъухьлъатэ къыщетIысэхащ. Абы къикIащ хьэщIэ лъапIэ — Совет Союзым и ЛIыхъужь Водопьяновыр. Къуажэ Советым и тхьэмадэу щыта, партым и Аруан райкомым и япэ секретару хаха Къущхьэ Хьэзешэ пежьэри, хьэщIэр гуапэу къригъэблэгъащ икIи утыкум щагъэува псэлъапIэм дришеящ. 4-нэ классым щеджэ хъыджэбз цIыкIу, Жьанэ Жанхужь, а тIум яужь иту псэлъапIэм дэкIуейри, кхъухьлъатэзехуэ цIэрыIуэм удз гъэгъа Iэрамэ IэщIилъ- хьащ. Къызэхуэсахэм Водопьяновыр къехъуэхъуащ я ехъулIэныгъэхэм нэхъри хагъэхъуэну. «Фэ зи цIэр зефхьэ Сталиным хуэфащэу фолажьэ, — жиIащ абы. — ТекIуэныгъэ ин фызэриIэр сэ абы Iэмал имыIэу хуэсIуэтэжынщ». ХьэщIэм жиIар адыгэбзэкIэ щызэрадзэкIым къызэхуэсахэр куэдрэ Iэгу еуащ. ИужькIэ, Водопьяновым иIуэтэжащ и кхъухьлъатэмкIэ мылылъэм зэрытетIысхьауэ щытар. «Кхъухьлъатэм сыкъибэкъукIыу мылым сытеувэну дзыхь сщIыртэкъым, сыкIуэцIрыхункIэ сышынэрти, — дыхьэшхыу зиумысыжырт абы. — СщIэн хуеякъэ си кхъухьлъатэр зышэчым сэри сызэришэчынур», — жиIэри къызэхуэсахэр игъэдыхьэшхат. Абы иIуэтэж хъыбархэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIыр Къущхьэ Хьэзешэт. «ЩIыхь зиIэ колхозхэт» цIэр фIащри, Псыгуэнсу колхозым а махуэ дыдэм Водопьяновыр хагъэхьауэ щытащ. ГуфIэгъуэ махуэшхуэхэр ефэ-ешхэ Iэнэ къудейкIэ зэфIэкIыртэкъым. Апхуэдэхэм деж джэгушхуэ зэхаублэрт, щIалэгъуалэр щызэпеуэрт. А псор зылъагъухэм, абы хэт цIыхухэм дэрэжэгъуэу ягъуэтыр пхужымыIэным хуэдизт. Лэжьыгъэм и закъуэтэкъым Псыгуэнсур адрей жылэхэм къазэрыхэжаныкIыр. Къуажэм и къэфакIуэ ансамблым хэтхэм я Iэзагъэр республикэ псом щызэлъащIысауэ щытащ. А гупым къыхашри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэфакIуэ ансамблым хагъэхьат ЕкIэщIауэ Хьэбид, Къардэн Iэниуар, Дзыгъур Маржынэт сымэ. Республикэм и адыгэ драмтеатрыр илъэс куэдкIэ зыгъэбжьыфIа, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист Болэ Мурат къэфакIуэ гупым хэкIри, Мэзкуу дэт ГИТИС-м щIэтIысхьат. Совет Союзым и ЛIыхъужь Яхэгуауэ Михаили, дзэм къулыкъу щищIэну дэкIыху, къуажэм и духовой оркестрым жыджэру хэтащ. Мы къэтIуэтэжа хъыбарыр ди тхыдэ гъунэгъум щыщщ икIи апхуэдэ Iуэхугъуэхэр, Псыгуэнсу къуажэм щекIуэкIа лэжьыгъэшхуэр, абы и пщIэр зыIэта цIыхухэр ди щIэблэм ящыгъупщэ хъунукъым. ЯХЭГУАУЭ Берд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25689.txt" }
Жэзыр къахихащ Белгород областым и Губкин къалэм боевой самбэмкIэ Урысей чемпионат щекIуэкIащ. ЦIыху 300 зыхэта а зэхьэзэхуэ иным щытекIуахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа спортсмен Гугу Мурат (кг 100). Абы ещанэ увыпIэр къихьащ. Мыпхуэдэ зэпеуэхэр сытым дежи гуащIэу йокIуэкI. абы и щхьэусыгъуэщ япэ, етIуанэ увыпIэхэр зыубыдахэр дунейпсо, Европэ чемпионатхэм хэтыну Iэмал зэрагъуэтыр. Жэзыр къэзыхьыр къэралым и командэ къыхэхам хагъэхьэ. Гугу Мурат финал ныкъуэм хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа Санкт-Петербург щыщ Невинный Дмитрий хигъэщIа щхьэкIэ, Новгород Ищхъэрэ и спортсмен Футин Максим текIуэн лъэкIакъым. Ауэ, къимыкIуэту иужькIэ щIэбэнащ ещанэ увыпIэм, икIи Савельев Игорь жэз медалыр къыфIихьащ. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25691.txt" }
Си еджапIэ — си къежьапIэ Егъэджэныгъэ Гъэсэныгъэр щIэныгъэм лъабжьэ хуащI Налшык къалэ дэт курыт школ №6-м иджыблагъэ щекIуэкIащ еджапIэ унафэщIхэм егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ я къуэдзэхэр зыхэта семинар. Ар теухуауэ щытащ школ директорхэм я къуэдзэхэм егъэджакIуэхэм я творческэ зэфIэкIым зиужьынымкIэ я пщэ къыдэхуэ къалэныр зыхуэдэм. Зэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ курыт школ № 6-м и унафэщIым и къуэдзэ Валуйская Валентинэ. Я еджапIэм и лэжьэкIэр и тегъэщIапIэу, ар тепсэлъыхьащ сабийм и гъащIэм школым щиубыд увыпIэм. Валентинэ и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ ныбжьыщIэм и гъэсэныгъэмкIэ, абы щIэныгъэ тэмэм бгъэдэлъхьэнымкIэ школым щылажьэ дэтхэнэ зыми жэуаплыныгъэшхуэ зэрихьыр икIи жиIащ абы и лъэныкъуэкIэ егъэджакIуэр сытым дежи и зэфIэкIым, Iэзагъэм зэрыхигъэхъуэным хущIэкъуу зэрыщытыпхъэр. Щэрдан Анатолэ зи унафэщI курыт школ №6-м мы зэманым егъэджакIуэ 70-м нэблагъэ щолажьэ. Абы щыщу 36-м категорие нэхъыщхьэ, 12-м япэ категорие яIэщ, «КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщахэри, УФ-м, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я министерствэхэм я фIыщIэ тхылъхэр зиIэхэри, щIэныгъэхэм я кандидатхэри гупым хэтщ. Школым и егъэджакIуэхэр жыджэру хэтщ зэпеуэ зэхуэмыдэхэм. Апхуэдэу «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым егъэджакIуэ зыбжанэ щытекIуащ. Школым иIэщ зэрыгушхуэн и гъэсэнхэри, абыхэм ящыщ куэдым я цIэр республикэм фIыкIэ щыIуащ. КъищынэмыщIауэ, абыхэм яхэтщ я егъэджакIуэхэр щапхъэ яхуэхъуу, а IэщIагъэм ирилэжьэну зэгуэр щIэныгъэм и дунейм щыхаша школым къэзыгъэзэжахэри. ЗэIущIэм кърихьэлIахэм школым и егъэджакIуэхэм я Iэзагъэр здынэсыр ягъэунэхуну а махуэм Iэмал яIащ: предмет щхьэхуэхэмкIэ урок гъэщIэгъуэнхэр ирагъэкIуэкIащ. Адыгэ литературэмкIэ урок купщIафIэ 10-нэ классым щитащ егъэджакIуэ Бозий ФатIимэ. Лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр Теунэ Хьэчим и тхыгъэхэм къызэрыхэщым теухуа дерсым кърихьэлIат КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэу, филологие щIэныгъэхэм я докторхэу ХьэкIуащэхэ Андрейрэ Мадинэрэ, ЩоджэнцIыкIу Нинэ сымэ. Дерсыр къызэIуахащ «1 КъБР» КъТК-м и лэжьакIуэ Хъуэжэ Жан Теунэ Хьэчим теухуауэ игъэхьэзырауэ щыта нэтынымкIэ. Ар здекIуэкIым ныбжьыщIэхэм ягъэзэщIащ тхакIуэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ къызэщIэзыкъуэж тест лэжьыгъэр. ИужькIэ егъэджакIуэм и упщIэм жэуап ираткIэрэ абыхэм наIуэ къащIащ Теунэм къикIуа творческэ гъуэгуанэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр. Ахэр тепсэлъыхьащ адыгэ литературэм, щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ тхакIуэ цIэрыIуэм зэфIигъэкIахэм, ар зэдзэкIакIуэ, сценарист, критик Iэзэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшыжу зэрыщытам. Теунэ Хьэчим и IэдакъэщIэкIхэу «Псэм и IэфIыр къуатмэ» романымрэ «Аслъэн» повестымрэ ягу зэрырихьар еджакIуэхэм къыхагъэщри, абыхэм лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр фIы дыдэу къызэрыщыгъэлъэгъуар жаIащ икIи абы щыхьэт техъуэу ар къызыхэщ Iыхьэхэр тхыгъэхэм къыщагъуэтри къеджащ. Зэныбжьэгъугъэр зи яку къыдэхъуэ лъэпкъитIым я лIыкIуэу «Псэм и IэфIыр къуатмэ» романым къыхэщ Ахьмэдрэ Благонравовымрэ я образхэр зэпкърахащ, гъащIэм лIыгъэр, ныбжьэгъугъэр зэрыщынэхъыщхьэр а лIыхъужьхэм я хьэл-щэным зэрадэплъагъуми тепсэлъыхьащ. Зи гуащIэмрэ зи щIэныгъэмрэ къызыхэкIа лъэпкъым хуэзыгъэлажьэ, цIыху гуапэу икIи хьэлэлу романым къыхэщыж Ахьмэд сыткIи щапхъэу къызэралъытэми и гугъу ящIащ. Художественнэ гъэпсыкIэ и лъэныкъуэкIэ «Псэм и IэфIыр къуатмэ» романыр щызэпкърахым, еджакIуэхэм къагъэлъэгъуащ абы адыгэ хабзэр, IуэрыIуатэр, пса- лъэжьхэр къызэрыхэщыр, эпитет, метафорэ, олицетворенэ, зэгъэпщэныгъэ, нэгъуэщI Iэмалхэри куэду къызэрыщыгъэлъэгъуари жаIащ. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэм тхыгъэм узыщрихьэлIэ псалъэжьхэр кърабжэкIри, абыхэм я мыхьэнэр къазэрыгурыIуэм тепсэлъыхьащ, романым хэт лIыхъужьхэм ящыщу ахэр зэппх хъунухэр къагъэлъэгъуащ. Теунэ Хьэчим литературэдж Iэзэу зэрыщытами и гугъу щащIащ дерсым икIи а унэтIыныгъэмкIэ абы и Iэдакъэм къыщIэкIа тхыгъэу зыщыгъуазэхэр кърабжэкIащ. Ахьмэд хуэдэу къызыхэкIа лъэпкъыр зыIэтын цIыху и гъэсэнхэм къахэкIыну зэращыгугъыр егъэджакIуэм ныбжьыщIэхэм яжриIэри, узыхэтым, укъэзыухъуреихьхэм пщIэ яхуэпщIу, сыт хуэдэ щытыкIэ укъимыхутами, лъытэныгъэмрэ шыIэныгъэмрэ пфIэмыкIуэду ущытын зэрыхуейр ягуригъэIуащ. Теунэ Хьэчим и тхыгъэхэм лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр къызэрыхэщым теухуа сочиненэ ятхыну унэ лэжьыгъэу яритри, егъэджакIуэм, ныбжьыщIэхэр урокым къызэрыхэжаныкIам елъытауэ, оценкэхэр яхуигъэувыжащ. Дерс нэужьым ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ ХьэкIуащэ Андрей. Абы къыхигъэщащ сабийхэм бзэ шэрыуэ зэраIурылъыр, Теунэ Хьэчим и творчествэм апхуэдэу куууэ зэрыщыгъуазэр и гуапэ зэрыхъуар. — Теунэ Хьэчим къызэралъхурэ нэгъабэ илъэси 100 ирикъуащ, — жиIащ ХьэкIуащэ Андрей. — Лъэпкъ литературэм абы хуищIа хэлъхьэныгъэм хуэдэ зыхузэфIэкIа гъуэтыгъуейщ. Теунэр и литературэ тхыгъэхэм я закъуэкъым ди тхыдэм къызэрыхэнар, ар икIи журналист цIэрыIуэу щытащ, республикэм къыщыдэкI газет зыбжанэм я Iуэхур зэтеублэным, ефIэкIуэным и гуащIэшхуэ хилъхьащ, абы и лъэныкъуэкIи зэфIигъэкIар зыхуэдэм тэмэму куэд щыгъуазэкъым. ХьэкIуащэм ныбжьыщIэхэм къаригъэщIащ тхакIуэм и гъащIэм теухуауэ нобэр къыздэсым нэсу къэхута мыхъуа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр. Апхуэдэу Андрей къыхилъхьащ Теунэ Хьэчим и цIэр я еджапIэм фIащыныр игъуэу къызэрилъытэр, тхакIуэм и творчествэм теухуа музей къызэIуахынуи къыхуриджащ икIи жиIащ илъэс къэс зы махуэ хахыу абы теухуа зэIущIэхэр къызэрагъэпэщтэмэ, щIэблэр литературэм нэхъ дегъэхьэха зэрыхъунур. ЩхьэщэмыщI Изэ. Сурэтыр Холлаевэ Любэ трихащ. Ди зэпыщIэныгъэхэр Зэныбжьэгъухэм я зэIущIэ Iуэхур зэфIэзыгъэкIынум Iэмал къегъуэт, хуэмейм щхьэусыгъуэ къелъыхъуэ. Ар къабыл умыщIынкIэ Iэмал иIэтэкъым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием щыщ Змейкэ жылэм дэт курыт школ №1-м щекIуэкIа зэхуэсым ухэтамэ. Абы осетиныбзэм и гъусэу щызэхэпхынут адыгэбзэри шэшэныбзэри. КъэхъукъащIэ шынагъуэхэм нэмыщI, нэгъуэщI фIы гуэри щымыIэжу къыщыпщыхъу мы зэманым утегушхуэу щIыпIэ зэщымыщхэм къипшу хьэщIэ къебгъэблэгъэныр еджапIэм дежкIэ къызэрыгуэкI Iуэхутэкъым, куэд зытемыгушхуэнт. Змейкэм и цIыхухэр хуейти, тегушхуащ икIи гуимыхуж зэIущIэ ирагъэкIуэкIащ. Мыр ныбжьэгъугъэм и фестивалт. Змейкэм дэт школышхуэм къуэш республикэхэм я еджакIуэхэр ирагъэблэгъауэ ягъэхьэщIэу арат. Зы гупыр Грознэм дэт гимназием и сабийхэрат, Къэбэр- дей-Балъкъэрым икIат Урыху къуажэм дэт еджапIитIым я сабийхэр. Плъагъун хуейт школым и унафэщIхэм, егъэджакIуэхэм, еджакIуэ цIыкIухэм я гур зэIухауэ, хьэщIэ къэсым уэрамыпэм щыIущIэрэ ирагъэблагъэу, еджапIэм щIашэу, щыгъын щIыIутелъхэр Iэпахрэ ягъэзагъэу зэрахьэ хьэщIагъэр. ЩIыхьэпIэм хуэкIуэ лъагъуэм и лъэныкъуитIымкIи лъэпкъ фащэ зыщыгъ ныбжьыщIэхэр еувэкIат, Iуэхур зэхэзыублахэм гуфIэгъуэм къыхуащтэ хабзэ хъыршынищымрэ псыIэфI зэрыт кхъуэщынымрэ яIэщIэту бжэшхуэ зэIухам деж къащыпэплъэрт. КъэкIуахэм нэхъ лейуэ я гуапэ ящIыну хуейти, фIэхъусыр адыгэбзэкIи шэшэныбзэкIи зрагъэщIауэ кърахт. ХьэщIэхэр зыщIаша пэшышхуэм и блыным фIэлъ экраным итт республикищми я ныпыр, ихъуреягъыр шар гъэпща зэмыфэгъухэмкIэ гъэщIэрэщIат. Инми цIыкIуми я нэгум нурыр кърихырт, псори зэхуэгуфIэрт, зэщыгуфIыкIырт. ХьэщIэхэри хэгъэрейхэри я цIэхэмкIэ зэджэну Iэмал яIэт, къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Дзуцевэ Риммэ Болей и пхъум игъэхьэзыру къарита бей-джикхэм ахэр тетти. Къеблэгъахэри нэшхуэгушхуэти, зызыпIытIи зызыхузи яхэттэкъым. Псоми зэгъусэу къызэхаплъыхьащ школыр, классхэр, пэш щхьэхуэхэр зрагъэлъэгъуащ. ГуфIэгъуэр щекIуэкIыну пэшышхуэм къыщагъэзэжам, нэхъыжьи нэхъыщIи зэрахуэфэщэнкIэ кърагъэтIысэкIащ пхъэщхьэмыщхьэрэ IэфIыкIэрэ зытелъ стIолхэм. Ныбжьэгъугъэм теухуа псалъэ дахэхэр, уэрэдхэр, Кавказым ис лъэпкъхэм я къафэхэр — псори къыщыбгъуэтынут осетин сабийхэм гуфIэгъуэм хуагъэхьэзыра зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм. Ди нэгу щIагъэкIащ мы лъэпкъым я бжэри я псэри хэт и дежкIи зэрызэIухар, пщIэрэ нэмысрэ кIэлъызэрахьэу ахэр я гъунэгъухэм ядэпсэуну зэрыхуейр. ХьэщIэхэри елIэлIащ щхьэж зыщыщ лъэпкъым и щэнхабзэр къагъэлъэгъуэным. Адыгэ гупым я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм зэрыщIидзар Мэкъуо Заринэ иригъэкIуэкIа психологие лэжьыгъэмкIэщ. Ар пэшым щIэс псоми ядэлэжьащ, езыхэм гурыщIэ дахэ къапкърыхьэу абыкIэ къабгъэдэсхэм, унэм къагъэнахэм, я цIыхугъэ псоми ядэгуэшэн хуэдэу зэтриублэу. Заринэ еханэ классым щIэсу аращ, ауэ Iэзэу урысыбзэкIэ зэрыпса-лъэмрэ дахэу сценэм зэрызыщиIыгъымкIэ ягу дыхьауэ кърихьэлIахэм къыхагъэщыжащ. Дэтхэнэ лъэпкъми и хьэл-щэныр, и щытыкIэ нэхъыщхьэр къафэм хуэдэу къызыхэщ щыIэу къыщIэкIынкъым. Адыгэхэми шэшэнхэми утыкур ягъэдэхащ, я анэдэлъхубзэкIэ уэрэдыр кърашащ, я республикэхэр зыхуэдэр усэбзэ дахэкIэ къаIуэтащ. Урыху икIа еджакIуэхэм я программэр ирагъэкIуэкIащ Срыкъуэ Iэдэмрэ МаскIэ Аринэрэ. Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ Былымгъуэт Iэмин фащэ екIур щыгъыу игъэзэщIа къафэм. Нэгъуей Залинэ и гимнастикэ зэфIэкIхэм пэшым щIэсауэ хъуар ихьэхуащ. Анимыкъуэ Заремэ утыкум и щыпэ ихьэтэкъыми, уэрэджыIакIуэ дыдэ хуэдэт и гъэзэщIэкIэкIи и зыIыгъыкIэкIи. Гугъуэтыж Миланэрэ Дзэгуей ФатIимэрэ я усэхэм псэкIэ къызэре-джэр зыхэпщIэрт. Хъы-джэбз къафэ къэзыгъэлъэгъуа гупым яхузэфIэкIащ адыгэ пщащэхэм яхэлъ щыпкъагъыр, щабагъыр, укIытэр, лантIагъыр псоми я фIэщ ящIыну. Ахэр Анимыкъуэ Заремэ, Жэмбей Марианнэ, Шорэ Ланэ, Блий Iэсият, Къул Маринэ сымэщ. Дезыгъэблэгъахэр гумащIэ къищIат Блий Каринэ осетиныбзэкIэ яжриIа хъуэхъум. Дауи, узэрыгушхуэн ущиIэм деж ар къыхыбогъэщ. Апхуэдэу, ЛIыхъугу Къантемыр, Шорэ Тамерлан, Гугъуэтыж Тамерлан сымэ къеджащ математикэмкIэ езыгъа-джэ Блий Тамарэ Михаил и пхъум и усэ хьэлэмэтхэм. Сабийхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр тэмэм хъуным елIэлIащ егъэджакIуэхэу Уэдыхь Маринэ, ХьэцIыкIу Рае, Хьэпажэ Ларисэ. Псом нэхърэ нэхъ гухэхъуэр къыщыхъуар зэхуэсым и щэнхабзэ Iыхьэр зэфIэкIа нэужьщ. Сыхьэт бжыгъэкIэ екIуэкIа джэгум мыр адыгэ макъамэщ, мыдрейр шэшэнщ жамыIэу, сыт хуэдэ къеуэми, лъэпкъищри зэгъусэу къыдэфэрт. Адыгэ щIалэм осетин хъыджэбзыр къыдишырт, шэшэным адыгэр къигъафэрт. Абыхэм еплъ балигъхэми къыдгурагъэIуащ: сабийхэр псэ къабзэщ, я гур зэIухащ, ныкъуакъуи фыгъуи яку илъкъым. Ахэр насыпыфIэу псэуфынущ, балигъхэм я гъэсэкIэм зэIимыгъэхьэмэ. Змейкэ жылэм дэт курыт школ №1-м и унафэщI Азизов Щамил Азиз и къуэм зэхуэсыр къыщызэIуихым акъыл къызыхэпхын псалъэ Iущ куэд Iуэхум хэтхэм яжриIащ. Абы къыхигъэщащ мамырыгъэ нэхъ дызыхуей зэрыщымыIэр, дэтхэнэ цIыхури лэжьэну, гъащIэр игъэдэхэну хущIэкъун зэрыхуейр, зэгъунэгъу лъэпкъхэр ныбжьэгъугъэм, благъагъэм нэхъ къулей зэрищIынур. Апхуэдэу ар къытеувыIащ езыр дагъыстэн лъэпкъыу зэрыщытыр, етIуанэ хэку хуэхъуа Осетием нэмыс щигъуэту илъэс куэд лъандэрэ зэрыщыпсэур, лъэпкъ зэхэгъэж мы республикэм зэрыщемыкIуэкIыр. Iыхьэ лейм икIауэ ди гуапэ хъуащ гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ директорым и къуэдзэ Цораев Майрам Владимир и къуэм жиIар: «Сэ си щIалэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым сыщылэжьащ илъэсийкIэ. Нобэ си ныбжьыр здынэсам схужыIэнущ адыгэхэм хуэдэу цIыхум хьэщIагъэ езых лъэпкъ сызэрыримыхьэлIар. Осетинхэри абыкIэ адыгэхэм далъэщIыхьэркъым. Сэ ахэр фIыуэ солъагъу, сыадыгэщ жызыIэ дэтхэнэми нэ лейкIэ соплъ». Мыбы кърихьэлIат район администрацэм, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым я лIыкIуэхэр, адэ-анэхэр, къуажэдэсхэр. Сыхьэт пщыкIутIым къыщыщIэдзауэ сыхьэтитху хъухукIэ екIуэкIа Iуэхум гурымыхьу зы дакъикъи къыхэкIакъым, къызэрырихьэлIам хущIегъуэжаи щыIакъым. Джэгурэ къафэкIэ, гушыIэкIэ гъэнщIауэ кIуащ зэманыр. Дызэрырагъэблэгъам хуэдабзэу къытщыгуфIыкIыу, дахэ къыджаIэу, гунэс дазэрыщыхъуар къыхагъэщу дыкърагъэжьэжащ, я балигъхэр къыткIэлъыхъуахъуэу, я сабийхэм Iэ къытхуащIу. Мы школым илъэсий и пэкIэ мыпхуэдэ дыдэ зэхуэс ящIауэ щытащ. Иджыблагъэ яублэжа Iуэху дахэр хабзэ хъун хуейуэ дгъэуващ кърихьэлIа егъэджакIуэхэм. Грознэм къикIа хьэщIэхэм я курыт школым драгъэблэгъащ накъыгъэ мазэм дыкIуэну. Абы иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым чэзур еин хуейуэ дызэгурыIуащ. Шэч къытетхьэркъым сабийр мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ щIэпIыкIын зэрыхуейм. Ди къэкIуэным фочауэ макъ хэмытыным телажьэ зы Iуэхугъуэ Змейкэм и егъэджакIуэхэм ди нэгу щIагъэкIащи, фIыщIэри щытхъури абыхэм ейщ, ядэтIыгъыныр, пытщэныр ди къалэнщ. Мы Iуэхум сригъэгупсысащ: адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ фIыуэ зэрыцIыхуу тхужыIэну? Зы республикэ дызэрисым нэмыщI, сыт ди сабийхэм зэдащIэр? Дэ дихуатэкъэ дызыщIэзыгъэгупсысыжын щытыкIэ? Зэгъунэгъу дыхъун папщIэ сыт длэжьа? Утыку къихьэн хъумэ, нэхъыбэрэ къихьэр лъэпкъ зэщIэгъэстхэракъэ? ЩIыпIэ куэдым къикIа цIыхухэр зэхэзышэ Iуэхухэр щокIуэкI ди республикэми, ауэ езым щыпсэу лъэпкъ зэщымыщхэр зэпэгъунэгъу зыщI Iуэху нэхъыби дыхуейщ. ХЬЭЦIЫКIУ Рае, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ. ФIыщIэ Гушхуэныгъэ къытхелъхьэ Сэ сыщоджэ Налшык къалэ дэт курыт школ №25-м и 9-нэ классым. Ди егъэджакIуэхэм щIэныгъэ къыдат къудейкъым, атIэ гъащIэм дыхуагъасэ, гушхуэныгъэ къытхалъхьэ. Псом хуэдэжкъым тхыдэмрэ технологиемкIэ дезыгъаджэ Пушкарёвэ Маринэ. Ар щабэщ икIи гуапэщ. Апхуэдэуи Маринэ хуабжьу къытхуэнабдзэгубдзаплъэщ, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным лъэпощхьэпо гуэрхэр къыхэкIми, дэIэпыкъуэгъу къытхуохъу, чэнджэщ щхьэпэхэр къыдитурэ. ФIыуэ слъагъу «Адыгэ псалъэ» газетыр къэзгъэсэбэпу, фIыщIэ хуэсщIыну икIи Бзылъхугъэхэм я махуэшхуэ къэблэгъамкIэ сехъуэхъуну сыхуейт ди егъэджакIуэ щыпкъэм. Узыншэу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ иIэу куэдрэ дунейм Тхьэм тригъэт и гъэсэнхэм къытхуэгуапэ егъэджакIуэр. ХЬЭТУ Астемыр. Налшык къалэ. ЩIэ Ди лэжьыгъэр къыддегъэпсынщIэ ЦIыхум фIыуэ илъагъу IэщIагъэр къыхихрэ абы ирилажьэмэ, ар и насыпым щыщ зы Iыхьэу къысщохъу. КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэр 1981 гъэм къэзухыу сыщалъхуа Аушыджэр къуажэм дэт курыт школым егъэджакIуэу къызэрызгъэзэжрэ заул дэкIащ. Абы лъандэрэ блэкIа зэманым лъэпкъыбзэр езыгъэ-джхэм ди Iуэхур зэмыщхьурэ екIуэкIащ — зэм ефIакIуэу, зэми екIакIуэу. Лэжьэн щыщIэздагъащIэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэр щытыкIэ хъарзынэм дитт: сыхьэт бжыгъэр пэрыхьэтт дызыхуей тхылъхэмрэ методикэ пособиехэмрэ зэмылIэужьыгъуэ куэд мыхъуми, псоми диIэт, нэхъ пасэу къыдэкIауэ щыта плакатхэмрэ таблицэхэмрэ ди Iэдэжти, хуиту дерсхэм къыщыдгъэсэбэпырт. Илъэсхэр кIуэху, анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэхэм ди Iуэхур нэхъ гугъу хъууэ хуежьащ. Абыхэм мызэ-мытIэу тепсэлъыхьащ егъэджакIуэхэр, тетхыхьащ лъэпкъ газетыр. Адыгэбзэр езыгъэджхэм я Iуэху езыгъэфIакIуэ хъыбар гуапэ куэд дэ зэхыдох иужьрей зэманым. Абыхэм ящыщщ лэжьыгъэм къыщыдгъэсэбэп тхылъыщIэхэр дунейм къызэрытехьэр, методикэ еплъыкIэщIэхэр къызыхэщ къыдэкIыгъуэхэр. Къапщтэмэ, егъэджакIуэхэр хуабжьу дыщыгуфIыкIащ иджыблагъэ къытIэрыхьа таблицэщIэхэм. Адыгэбзэм и хабзэхэр зэпкърыхауэ зэрыт, тхылъымпIэ IувыфIым иту къыдэкIа а таблицэхэр дунейм къытехьэным я гуащIэшхуэ ирахьэлIащ анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэ Iэзэхэу Токъу Сарэрэ Мэшыкъуэ Iэсиятрэ. Сарэрэ Iэсиятрэ кърахьэжьа Iуэху дахэр ядиIыгъащ «Тхылъ» ООО-м и унафэщI Шаваевэ Аминат. Абы и фIыгъэкIэ таблицэхэр Москва и тхылъ тедзапIэхэм ящыщ зым къыщыдагъэкIащ. ПэщIэдзэ классхэм къыщагъэсэбэпыпхъэ таблицэхэр гъэхьэзырыным елэжьар Сарэщ, 5 — 11-нэ классхэм яхуэгъэзар зи IэдакъэщIэкIыр Iэсиятщ. ТхылъымпIэм тету къыдэкIа таблицэ щхъуэкIэплъыкIэхэм ящIыгъущ ди зэманым сыт хуэдэ Iуэхуми къыщагъэсэбэп компьютер дискхэр. Абы къыхэкIыу ахэр иджырей зэрырагъаджэ мардэхэми яхуокIуэ. ЖыпIэнурамэ, таблицэщIэхэр зэман кIыхькIэ хуабжьу дызыхуэныкъуа хьэпшыпщ. Абыхэм къызэщIаубыдэ адыгэбзэм ехьэлIауэ гулъытэ зыхуэщIыпхъэ дэтхэнэ Iуэхугъуэри. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Адыгэбзэ алфавитыр», «Бзэр зэрызэхэт Iыхьэхэр», «Адыгэ алфавитым и тхыдэр», «Адыгэбзэм и пычыгъуэ лIэужьыгъуэхэр», «Ударенэр», нэгъуэщI таблицэхэри. Абыхэм яхэлъщ лексикэм, псалъэ къэхъукIэхэм, псалъэр зэрызэхэлъ Iыхьэхэм, союзхэм, нагъыщэхэм, псалъэ занщIэм и къэкIуэкIэм, бзэм и хабзэхэм, пэжырытхэм ехьэлIа къинэмыщI Iуэхугъуэхэр зэрыт таблицэхэр. ЕгъэджакIуэхэм ди лэжьыгъэр къызэрыддагъэпсынщIэм и мызакъуэу, абыхэм, къызэрытщыхъумкIэ, сабийхэри дахьэх, дерсыр нэхъ гурыIуэгъуафIэ, щIэщыгъуэ ящIу, ядж темэр нэхъ гукъинэ ящыхъуу. Таблицэхэр къэбгъэсэбэп хъунущ сабийхэр гуп-гупу щебгъаджэкIи щхьэхуэу уащыдэлажьэкIи. Адыгэбзэр курыт школым щезыгъэджхэм, пэщIэдзэ классхэм щылажьэ егъэджакIуэхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ ин яхудощI лъэпкъым хуэщхьэпэн Iуэху дахэ куэдым я жэрдэмщIакIуэ Токъу Сарэрэ Мэшыкъуэ Iэсиятрэ, абыхэм сэбэпышхуэ къа- хуэхъуа Шаваевэ Аминат. Анэдэлъхубзэм зегъэужьыным, ар егъэфIэкIуэным зи гуащIэ куэд езыхьэлIэ а хэкупсэ нэсхэр узыншэну, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрагъэхьэну, насыпыфIэу псэуну ди гуапэщ. ШЭШЭН Людмилэ, Аушыджэр къуажэм дэт курыт школым и егъэджакIуэ. НыбжьыщIэ зэпеуэхэр Къэхутэныгъэхэм дахьэх Хабзэ хъуауэ, НыбжьыщIэхэм я творчествэм зыщрагъэужь республикэ центрым илъэс къэс щокIуэкI щIэныгъэлI цIэрыIуэ Вернадскэм и цIэр зезыхьэ еджэныгъэхэм я щIыналъэ Iыхьэр. Конференц жыпхъэм иту иджыблагъэ екIуэкIа апхуэдэ зэхуэсым хэтащ къэхутэныгъэ зэхуэмыдэхэм дахьэх ныбжьыщIэ 300-м щIигъу. Абыхэм я лэжьыгъэхэр, зытеухуам елъытауэ, щагъэлъэгъуащ секцэ 36-м. Еджэныгъэхэр къызэзыгъэпэщ гупымрэ зэпеуэм и къэпщытакIуэхэмрэ зэрыжаIэмкIэ, конференцым хэтыну гукъыдэж зыщI ныбжьыщIэхэм я бжыгъэр зы илъэсым нэхърэ адрейм нэхъыбэ хъууэрэ макIуэ. Абы щIыгъуу зеужь икIи йофIакIуэ егъэджакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, школакIуэхэм я зэдэлэжьэныгъэр. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэм къарикIуэ къэхутэныгъэ хьэлэмэт куэд къагъэхьащ республикэпсо конференцым. Конференцым и лэжьыгъэм унэтIыныгъэ куэд къызэщIеубыдэ. Ахэр ехьэлIащ географие, ботаникэ, зоологие, медицинэ, филологие, литературэ, педагогикэ, гъуазджэ, философие, математикэ, информатикэ щIэныгъэхэм. Зэхуэсым и утыкум кърахьэ лэжьыгъэхэм ящыщу унэтIыныгъэ къэс хуэзэу нэхъыфI дыдэу щы къыхахынущ. Абыхэм Iэмал яIэнущ Вернадскэм и цIэр зезыхьэ урысейпсо еджэныгъэхэм я зэпеуэ нэхъыщхьэу Москва щекIуэкIынум хэтыну. ТАМБИЙ Линэ. ЩIэблэ зэчиифIэ Зи насып къэкIуэгъуэ Амирэ Зи гугъу фхуэсщIыну пщащэ цIыкIур Ислъэмей къуажэм щыщ, 2-нэ классым ще-джэ Шыгъэлыгъуэ Амирэщ. Дадэм нэм хуихьрэ нанэм псэм хуигъадэ хъыджэбз цIыкIур и ныбжьхэм къахощ художественнэ гимнастикэмкIэ бгъэдэлъ зэфIэкIхэмкIэ. Хэти ещIэ гимнастикэр зэрымытыншыр, абы къигъэув мардэхэм пэлъэщынур зи Iэпкълъэпкъыр щиху къудамэу лантIэ цIыхуращ. Амирэ гимнастикэм дихьэха зэры-хъуам дыщыщIэупщIэм, абы и анэшхуэм къыпыгуфIыкIыурэ жеIэ: «Амирэ иджыри земыкIуэ щIыкIэ нэрылъагъу хъуат и Iэпкълъэпкъыр ямылейуэ зэрылантIэр. Ар зылъагъу ди гъунэгъухэм, ныбжьэгъухэм жаIэрт хъыджэбз цIыкIур гимнасткэ зэрыхъунур. «Пэлъэщыну пIэрэ?» — жытIэу дыгузавэрт ар Налшык дгъэкIуэн щыщIэддзам. Сабийхэм я творчествэм зыщрагъэужь центрым зыщигъэсэнри школ еджэнри фIы дыдэу зэдехь иджы Амирэ, и адэ-анэри адэшхуэ-анэшхуэри и ехъулIэныгъэхэмкIэ дигъэгуфIэу». Пэжу, Амирэ фIы дыдэу йоджэ. Хъыджэбз цIыкIум хуабжьу къыхуэарэзыщ и егъэджакIуэхэр, и гъэсакIуэри къыщотхъу. Псом хуэдэжкъым абы иужьрей зэманым зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэр. Ставрополь художественнэ гимнастикэмкIэ гъэ къэс щекIуэкI щIыналъэпсо зэхьэзэхуэм Амирэ нэгъабэ ещанэ увыпIэр, мы гъэм — етIуанэр къыщихьащ. Хэт ищIэн адэкIэ къэхъунур? Амирэ цIыкIу дохъуэхъу и зэфIэкIхэм хигъахъуэу, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэу псэуну. Олимп Джэгухэм я лъагапIэхэм унэсыну, адыгэм и цIэр жыжьэ щыбгъэIуну, зи насып къэкIуэгъуэ пщащэ дахэ! КЪАРДЭН Мухьэмэд. Бахъсэн куей.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25694.txt" }
ЩIэныгъэм и нурыр зыгъаблэ Гъатхэпэм и 5-м илъэс 60 зэрырикъур егъэлъапIэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Хьэбэз районым щыщ Жьакуэ къуажэм къыщалъхуа, дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ щIэныгъэлI щэджащэм — Бэвыжь Мухьэмэд Дэнял и къуэм. Физико-математикэ щIэныгъэхэм куэд дыдэ зыщыхузэфIэкIа Бэвыжьым бгъэдэлъ щIэныгъэм, и цIыху щIыкIэм, и къекIуэкIыкIам дытепсэлъыхьын и пэкIэ, ар къызыхэкIа унагъуэмкIэ ди псалъэмакъыр етшэжьэнщ. Жьакуэ къуажэм дэс нэхъ лъэпкъыжьхэм ящыщщ Бэвыжьхэ. Ахэращ Совет властыр мы жылэм щызэфIэува нэужь, къуажэдэсхэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным и лъабжьэр зыгъэтIылъар, лъэужь мыкIуэдыжын къуажэ тхыдэм къыхэзынар. XVIII лIэщIыгъуэм къуажэр Къэбэрдейм къиIэпхъукIри, 1892 гъэм иджы зэрыс щIыпIэм щетIысэхащ. А зэманым Къубатей (иджы Жьакуэ) къуажэм Бэвыжьхэ ящыщу зэкъуэшищ дэсащ — Хьэжы, Къарэ, Аслъэныкъуэ сымэ. Мы къуажэм и тхыдэр зыдж егъэджакIуэ Мамхэгъ Владимир зэритхыжымкIэ, Хьэжырэ Къарэрэ 1885-1905 гъэхэм Тыркум Iэпхъуащ икIи нобэкIэ Бэвыжь унэцIэр зезыхьэхэр къызытехъукIар Аслъэныкъуэщ. Абы къуищ иIащ: Илас, Исмел, ХьэбатI. Илас къуиблрэ (Абдулыхь, МутIалиб, Исмел, Пщымахуэ, Зейд, Билал, Хьэзиз) зыпхъурэ (Мэчырхъан) иIащ. Зыхалъхуа зэманым емылъытауэ, Абдулыхь, МутIалиб, Зейд сымэ щIэныгъэфI ябгъэдэлъащ икIи жьакуэдэсхэр егъэджэным мыкIуэдыжын хэлъхьэныгъэ хуащIащ… Бэвыжь Мухьэмэд дежкIэ къэдгъэзэжынщи, МутIалиб абы и адэшхуэщ. МутIалиб и лэжьэкIэу щытам и гъэсэн куэд ноби топсэлъыхьыж. Уеблэмэ егъэджакIуэм къаритауэ щыта дерсхэр къаIурылъэлъу къыбжезыIэжыфынухэри яхэтщ. МутIалиб и щIэныгъэр, цIыхугъэр къалъытэри, 1930 гъэм къуажэм япэу къыщызэрагъэпэща колхозитIым я зым и унафэщI IэнатIэр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Адэм и лэжьэкIэр и щапхъэу, акъылыфIэу, гъэсэныгъэ нэс хэлъу къэтэджащ МутIалиб и къуэ Дэняли. ЖыIэпхъэщ, Бэвыжьхэ я унагъуэр зэхэзехуэн ящIахэм ящыщ зэрыхъуари — мыбыхэм хэкур ирагъэбгынауэ щытащ. Ягъэзэхуэжу къагъэзэжа нэужь, Мухьэмэд и адэ Дэнял и гъащIэр «Молот» заводым ирипхащ. МутIалиб и ныбжьыр пенсэм нэсри, тIысыжащ… Тхьэшхуэр акъылкIэ зыхуэупса конструктор IэпщIэлъапщIэм къилъэщыфауэ щытащ «Инициатор технического прогресса» цIэ лъапIэри, къигупсысахэр иту тхылъ пщIы бжыгъэхэр къыдэкIащ, щIыхь тхылъхэр, фIыщIапщIэ куэд къыхуагъэфэщащ. Дэнял псэуху зэпигъэуакъым щIэблэр и IэщIагъэм хуригъэджэн, щIэныгъэ нэс ябгъэдилъхьэн. Къуажэдэс нэхъыжьыфIхэм фIыуэ ящIэж Дэнял и щхьэгъусэ Нащхъуи балигъхэр егъэджэным зэрыпылъар, «ликбез» щэнхабзэ революцэм жыджэру зэрыхэлэжьыхьар. Я адэшхуэмрэ адэ-анэмрэ зыхуаущияхэр Дэнял и къуэхэу Мухьэмэдрэ Iэминрэ икъукIэ зыщIашащ. ЩIэныгъэм и «Олимп»-м дэкIуеифа зэкъуэшитIыр Урысейми нэгъуэщI къэрал куэдми фIыуэ къыщацIыху. Мы щIалэхэм яхузэфIэкIам Урысейр ироин, абыхэм ирогушхуэ я къуэпсыр къыщежьа Жьакуэ къуажэм дэсхэри, адыгэ лъэпкъри. Зэгуэрым Мухьэмэд журналистхэм епсалъэу, и адэш-хуэм теухуауэ жиIауэ щытащ: — Си адэшхуэр Жьакуэ къуажэм егъэджакIуэу щылэжьащ. Уеблэмэ си адэри си анэри зы классым хэсу иригъэджащ. Сэ сыщеджэм щыгъуэ си дадэр пенсэм кIуакIэт, ауэ еджапIэм къыщекIуэкI Iуэхухэм сыт щыгъуи щыгъуазэт. Дунейм тетыху щыгъупщакъым и IэщIагъэр, абы лъагъуныгъэ хуиIари игу ихуакъым. Дадэ акъылышхуэ зыбгъэдэлъ цIыхут. Си къуэшымрэ сэрэ гъащIэм худиIэ еплъыкIэр къыщежьар ди дадэ Iущым дежщ…» Курыт еджапIэм щыщIэсам къыщыщIэдзауэ, зэкъуэшитIри зэи текIакъым я адэшхуэм зыхуигъэсахэм, абы и псалъэ Iущхэм. ЕджапIэм щIэс щIыкIэ тIури дихьэхауэ щытащ физикэ, есэп щIэныгъэхэм. Черкесск къалэми, крайми, уеблэмэ Союзми япэ увыпIэхэр къыщахь зэпыту щытащ. И къуэш Iэмин къэтщтэнщи, Мухьэмэд зыщIэса институтым щеджащ, «прикладная математика» факультетри къиухащ, ар щылэжьа ядернэ институтми и зэфIэкI щигъэлъэгъуащ. Мызэ-мытIэу хэтащ къызэрабж техникэмкIэ дунейпсо проектхэр гъэзэщIэным. Iэмин физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Къэрэшей-Шэрджэсым и Техникэ академиер и лъабжьэу къызэригъэпэщащ «ХъыбарегъащIэ системэхэмкIэ щIэныгъэ-производствэ къудамэ» зэгухьэныгъэр. Академием и унафэщIым и чэнджэщэгъущ, егъэджакIуэ пэрытщ. Мухьэмэд физико-математикэ щIэныгъэхэм я докторщ, нанотехнологиехэмрэ электроннэ техникэм и материалхэм я технологиехэмкIэ и кафедрэм и профессорщ, УФ-м щIэныгъэмрэ техникэмкIэ и Къэрал саугъэтым и лауреатщ. 1997 гъэм Сорос тыгъэр къыхуагъэфэщащ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикщ… Иджыри ехъулIэныгъэ куэдкIэ Мухьэмэд и цIэр къитIуэфынущ. Арами, абы и щIэныгъэкIэ, лэжьыгъэкIэ къилъэщыфа лъагапIэхэм зэкIэлъыкIуэу дриплъэнщ. Курыт еджапIэр къиухри, 1970 — 1976 гъэхэм Мухьэмэд щеджащ Москва къалэм дэт инженер-физикэ институтым (МИФИ). ЕджапIэ лъэщыр ехъулIэныгъэ хэлъу къиуха нэужь, адыгэ щIалэр ядернэ физикэм и купсэхэу Москва, Дубна, Протвино, Серпухов къалэхэм дэтхэм щылэжьащ. 1979 — 1982 гъэхэм ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ институт зэхэтым, Дубна къалэм щыIэм, и аспирантщ, «Физика атомного ядра и элементарных частиц» IэщIагъэм щыхуоджэ. ИригъэкIуэкI ядернэ къэхутэныгъэхэр къалъытэурэ, институтым къыбгъэдэкI тыгъэхэр мызэ-мытIэу къыхуагъэфащэ, 1984 гъэм комсомолым и саугъэтым и лауреат мэхъу. «Кристалл» зыфIаща совет-америкэ дунейпсо къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIахэм — «поворот заряженных частиц деформированными кристаллами» IэмалыщIэр япэ дыдэ хэIущIыIу зыщIахэм щIэныгъэлI Бэвыжьыр яхэтащ. Зэкъым Мухьэмэд США-м, нэгъуэщI хамэ къэралхэм зэрырагъэблэгъар щылэжьэну, ауэ и зэфIэкIхэр къыщалъхуа хэкум къыщигъэсэбэпмэ нэхъыфIу къилъытащ адыгэлI щыпкъэм. 1981 — 1983 гъэхэм монокристаллхэм деж электронхэмрэ позитронхэмрэ къапыкI нэхур къэхутэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэшхуэм хэтащ. Къапщтэмэ, мы IуэхумкIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуахэм Бэвыжьым и кандидат диссертацэр треухуэ, 1985 гъэм физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат мэхъу. 1994 гъэм Мухьэмэд физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор цIэ лъапIэри къелъэщ. 1984 — 1994 гъэхэм Мухьэмэд ИФВЭ-м и лэжьакIуэщ. Бэвыжьым и унафэм щIэту «Практическое применение элементов кристаллооптики в физическом эксперименте и ускорительной технике» лэжьыгъэшхуэр ирагъэкIуэкIащ. ИкIи абы щыхузэфIэкIахэр къалъытэри, 1996 гъэм УФ-м и Къэрал саугъэтыр, къыдэлэжьа гупым и гъусэу, Мухьэмэди къыхуагъэфащэ. 1994 гъэм Мухьэмэд и лэжьыгъэм щыпищащ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал технологие академием. Профессорыр щытащ кафедрэм и унафэщIуи, академием егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ и япэ проректоруи. 2006 гъэм къыщыщIэдзауэ Бэвыжьыр а академием и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэщ, Москва къалэм щыIэ «Радий» НПП-м и щIэныгъэлI-чэнджэщэ-гъущ. 2008 гъэм Кавказ Ищхъэрэ къэрал техникэ университетым Прикладной нанотехнологиемкIэ и НИИ-м и унафэщI ящI. «Нанотехнологии и технологии материалов электронной техники» кафедрэм и профессорщ. Зы илъэс докIри, Мухьэмэд къыхуагъэфащэ нанотехнологиехэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал технологие университетым нанотехнологиемкIэ и центрым и унафэщI IэнатIэр. Бэвыжьым и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъи 100-м щIигъу. Мухьэмэд иIэщ езым и къэхутэныгъэхэри, патент зыбжанэ къапэкIуауэ. Шэч хэлъкъым ядернэ физикэм и зыужьыныгъэм щIэныгъэлI Бэвыжьым хэлъхьэныгъэшхуэхэр дяпэкIи зэрыхуищIынум. Дыхуейщ адыгэлIым де-хъуэхъуну иджыри илъэс куэдкIэ и зэфIэкIыр Урысейм и щIэныгъэм, ди лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуигъэлэжьэну, а псоми зэрыпэлъэщын узыншагъэ быдэ иIэну! ЩОХЪУЖЬ Люсанэ. Черкесск къалэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25698.txt" }
КъБР-м и спортсменхэм я бжыгъэм хохъуэ Иужьрей илъэситхум (2007 — 2012 гъэхэм) КъБР-м щыпсэухэм ящыщу физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ дихьэххэм я бжыгъэр процент 12-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Апхуэдэу щыжаIащ КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм 2012 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр къыщапщытэжа, 2013 гъэм я мурадхэр щаубзыхуа зэIущIэм. Абы кърихьэлIащ Правительствэм и вице-премьер Портэ Галинэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Къардэн Мурат, къэрал спорт IуэхущIапIэхэм, район спорт комитетхэм, турист-рекреацэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, спортым и ветеранхэр. Спортымрэ туризмэмкIэ министр АфIэунэ Аслъэн зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ я къарур нэхъыбэу зытрагъэщIар республикэм и цIыхухэр гъащIэ узыншэм хуэгъэкIуэным, абы физическэ щэнхабзэм къыхэшэнри хыхьэу, спорт IэнатIэхэм зегъэужьыным, республикэ, дунейпсо утыкухэм зэфIэкI щагъэлъэгъуэным хуэунэтIауэ зэрыщытар. Министрым и къуэдзэ Мамхэгъ Хьэчим къызэрыхигъэщащи, республикэм и цIыху мин 204,5-рэ физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ дехьэх. Иужьрей илъэситхум къриубыдэу апхуэдэхэм я бжыгъэм хэхъуащ: 2007 гъэм ар процент 11 хъууэ щытамэ, 2012 гъэм процент 23,1-м нэсащ. Республикэм щефIэкIуащ спорт лIэужьыгъуэ 32-рэ. Абыхэм щIалэгъуалэ мин 35-рэ дахьэх. 2012 гъэм къриубыдэу «Урысейм спортымкIэ и мастер» цIэр фIащащ спортсмен 54-м, «Дунейпсо класс зиIэ Урысейм спортымкIэ и мастер» цIыхуиплI хъуащ. «Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер» цIэр хуагъэфэщащ тIум. СпортымкIэ япэ разряд къаIэрыхьащ, спортымкIэ мастерым и кандидат хъуащ 700-м щIигъу. ИрагъэкIуэкIыпхъэ зэхьэзэхуэхэм хагъэхьащ сабийхэм, ныбжьыщIэхэм, щIалэгъуалэм яхухэхахэр. Апхуэдэщ, республикэм и цIыху 1500-м щIигъу зэхэзыша атлетикэ псынщIэмкIэ, стIолыщхьэ теннисымкIэ, псы есынымкIэ, футбол цIыкIумкIэ, бадминтонымкIэ, шахматымкIэ зэхьэзэхуэхэр. «Спортыр наркотикым и бийщ!», «Спортыр террорым и бийщ!» къыхуеджэныгъэхэм щIэту спорт зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэмкIэ зэхьэзэхуэхэр илъэс къэс йокIуэкI. Абыхэм къызэхуашэс цIыху мин 50-м щIигъу. Хабзэ хъуащ къызэдэжэнымкIэ Республикэ Олимп махуэ къызэгъэпэщынри. Абы ныбжькIэ зэхуэмыдэ цIыху мини 5-м щIигъу къыхохьэ. ИрагъэкIуэкIащ цIыху куэд къызэщIэзыубыдэ спартакиадэхэр. АдэкIэ Мамхэгъым къызэрыхигъэщамкIэ, гулъытэ хэха хуащI спортым дихьэх ныкъуэдыкъуэхэм хуэунэтIа лэжьыгъэм. Илъэс кIуам ахэр хэтащ Урысейм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ зэпеуэхэм, чемпионатхэм. Гукъинэж хъуащ 2012 гъэм Налшык щекIуэкIа, КИФЩI-м и щIалэгъуалэ нэхъыфIу 1500-рэ, хьэщIэ мини 3-м нэблагъэ лъахэм къезышэлIа ещанэ «Кавказ джэгухэр» щIыналъэхэм я фестивалыр. Спортым щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэ лъагэхэм я гугъу щищIым, министрым и къуэдзэм жиIащ, 2012 гъэм къриубыдэу республикэм и спортсменхэр зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэу 183-м зэрыхэтар, урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм 502-рэ текIуэныгъэхэр, ехъулIэныгъэхэр къызэрыщахьар. Иужьрей Олимп Джэгухэм — Сидней, Афины, Пекин, Лондон щекIуэкIахэм — ди спортсменхэм дыщэ медали 2, дыжьыну 1, жэзу 4 щызыIэрагъэхьащ. ИджыкIэ Олимп спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ Урысейм и командэ къыхэхам ди республикэм и гъэсэну 108-рэ, Олимп джэгухэм химыубыдэ спорт лIэужьыгъуэхэр къэплъытэмэ — спортсмени 128-рэ хэтщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуахащ Гъэмахуэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ центр. Абы и къалэн нэхъыщхьэщ гугъэ нэхъ уэзыгъэщI спортсмен ныбжьыщIэхэм зэгъэузэщIыныр, Урысейм и командэ къыхэхам хыхьэнухэр гъэхьэзырыныр. Абы хэтщ бэнэкIэ хуитымкIэ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ, дзюдомкIэ, атлетикэ хьэлъэмкIэ къудамэхэр. Центрым зыщагъасэ илъэс 14-16 ныбжьхэм ит сабий 75-м. Мыгувэу а бжыгъэр 150-м нагъэсыну я мурадщ. Спортым гурэ псэкIэ пыщIа спортсмен диIэн, абыхэм нэхъри гукъыдэж ягъуэтын папщIэ КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, ахъшэ саугъэтхэр, мазэ стипендиехэр хуагъэуващ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэт спортсменхэм, абыхэм я тренерхэм. Апхуэдэу, 2012 гъэм и япэ мазихым абыхэм стипендиеу сом мелуани 4, 374-рэ ахъшэ саугъэту мелуани 9-рэ хухахащ. УФ-м и командэ къыхэхам спортсменхэр хуэзыгъэхьэзыр спорт IуэхущIапIэхэм федеральнэ мылъкум къыхэкIыу ахъшэкIэ зыщIагъакъуэ. Къапщтэмэ, 2011 — 2012 гъэхэм республикэм спортымкIэ и школ зыбжанэм сом мелуани 4,5-рэ хухахащ. Олимп резервхэр щагъэхьэзыр сабий-ныбжьыщIэ спорт школхэм я программэр къызэзыгъэпэщ «Урысейм и олимпийцхэр дэзыIыгъ фонд»-м гранту мелуан зритынухэм хагъэхьащ Iуащхьэмахуэ муниципальнэ куейм щыIэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школыр. 2009 гъэм щыщIэдзауэ, республикэм щокIуэкI спорт инфаструктурэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ лэжьыгъэхэр. Абы ипкъ иткIэ, лэжьэн щIадзащ физическэ щэнхабзэмрэ узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ, спорт лIэужьыгъуэхэм зыщыхуагъасэ IуэхущIапIэ, спорт- зал 11. КъызэрыгуэкI футбол губгъуэ 20 зэрагъэпэщыжащ. Алэрыбгъу IэрыщIхэр топ джэгупIэу 8-м, футбол цIыкIу губгъуэу 12-м щагъэтIылъащ. 2012 гъэм Сабий стадионыр зэрагъэпэщыжащ, Налшык къалэм, Лэскэн куейм хыхьэ Урыху къуажэм спорт комплексхэр ухуэныр щызэфIагъэкIащ. «Урысей зэкъуэт» социальнэ проектым ипкъ иткIэ, Май къалэм дэт Физическэ щэнхабзэмрэ узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ IуэхущIапIэр зыхуей спорт IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщащ. Лэскэн куейм хыхьэ Анзорей, Прохладнэ куейм и Прималкинскэ къуажэхэм Физическэ щэнхабзэмрэ узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ IуэхущIапIэхэр щаухуэ. Программэм ипкъ иту, мы гъэм Налшык, Нарткъалэ, Тэрч спорт IуэхущIапIэр дащIыхь. Физическэ щэнхабзэмрэ узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ IуэхущIапIэхэр Налшык къалэ, Плановскэ, Дыгулыбгъуей, Куба, Малкэ, Къэхъун, Щхьэлыкъуэ, Жэмтхьэлэ Ипщэ, Гундэлэн, Сэрмакъ, Хьэтуей къуажэхэм, Котляревскэ, Екатериноградскэ станицэхэм къыщызэрагъэпэщынущ. — Нэгъабэ и закъуэ, федеральнэ мылъкум къыхэкIыу спорт инфраструктурэхэр егъэфIэкIуэным тедгъэкIуэдэну сом мелуан 276, 1-рэ къытIэрыхьащ. Мы гъэм мелуан 250-кIэ догугъэ. Мылъкур къытхуаутIыпщмэ, спорт утхэр хьэпшыпхэмкIэ, IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщыным, футбол щыджэгу губгъуэ IэрыщIхэр ухуэным тедгъэкIуэдэнущ,- жиIащ министрым и къуэдзэм. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25701.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Сирием къикIыжхэм хохъуэ Адыгей. Сирием къикIыжу республикэм щетIысэхыж адыгэхэм къахэхъуэ зэпытщ. Адыгейм и къэрал властыр я щIэгъэкъуэну, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ псапащIэхэмрэ лъахэм къэзыгъэзэжхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным, йолэжь, ахъшэ зэхэдзэ ящI. Илъэсыр къызэрихьэрэ Сирием къикIыжри Адыгейм къэкIуэжащ цIыху 51-рэ. Псори зэхэту республикэм щопсэу къэзыгъэзэжа адыгэу 412-рэ. Абыхэм я нэхъыбэр къуажэхэм дотIысхьэ. ЩIыпIэ властымрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я щIэгъэкъуэну цIыху 72-рэ Тэхъутэмыкъуей, Тэучэжь куейхэм дэтIысхьащ. Абыхэм ящыщ гуэрхэм яхузэфIэкIащ я мылъкукIэ унэ-лъапсэ къащэхуну. Лъахэм къэзыгъэзэжхэр щетIысэх хъуну унэ нэщIхэр, щIы кIапэхэр убзыхунымкIэ лэжьыгъэм пащэ. Я зэпыщIэныгъэм зрагъэужь Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид IущIащ Палестинэ къэралыгъуэм и полномочнэ лIыкIуэу Урысей Федерацэм щыIэ Мустэфа Фаед. Лъэныкъуэхэр тепсэлъыхьащ Палестинэмрэ Урысеймрэ я политикэ, экономикэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм япкъ иткIэ зэдэлэжьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм. Темрезовым къыхигъэщащ я зэпыщIэныгъэхэр зэтраублэным, зэдэлэжьэным республикэр зэрыхуэхьэзырыр. Тамбов щагъэлъагъуэ Абхъаз. «Абхъазым и дыгъуасэмрэ нобэмрэ» фIэщыгъэм щIэтIу дыгъуасэ Тамбов и музей-гъэлъэгъуапIэ центрым Абхъазым и сурэтыщIхэм я выставкэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ. Абхъазым и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэу Пкин Астандэ, Джапуа Батал, Кацбэ Виталий сымэ я IэдакъэщIэкIыу 100-м щIигъу выставкэм щагъэлъэгъуэнущ. Абыхэм къаIуатэр лъахэм и дахагъым и закъуэкъым, атIэ, куржы-абхъаз зауэр зэрекIуэкIами, Абхъазыр щызэфIэувэжа лъэхъэнэм, и нобэм щыгъуазэ уащI. КъищынэмыщIауэ, Тамбов и Сабий художественнэ школ №1-м къыщызэIуахащ «Абхъазыр сабийхэм я нэкIэ» абхъаз сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ выставкэ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25703.txt" }
Нобэ 1953 гъэм Сталин (Джугашвили) Иосиф дунейм ехыжащ. 1970 гъэм ядернэ Iэщэм земыгъэубгъунымкIэ ЗэгурыIуэныгъэм къару игъуэтащ. Адыгэхэм куэдрэ ятетхыхьа тхыдэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ Фелицын Евгений къызэралъхурэ илъэси 165-рэ ирокъу. Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, ЩIДАА-м и академик Бэвыж Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэс къыщесынущ. Махуэм хуабэр 1 градус, жэщым щIыIэр градуси 4 — 2 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25705.txt" }
Быстров Максим «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм» и тхьэмадэщ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и унафэщIхэм я советым и тхьэмадэу хахащ Быстров Максим. А зэIущIэм и къалэнхэр щыщхьэщахащ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу щыта Билалов Ахьмэд. Быстров Максим Сергей и къуэр 1964 гъэм фокIадэм и 16-м къалъхуащ. Москва дэт инженер-ухуакIуэ институтымрэ къэрал щIыб сатумкIэ урысейпсо академиемрэ къиухащ. ГъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ орган зыбжанэм — Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмрэ сатумкIэ и министерствэм, Экономикэ щIыналъэ хэхахэр зехьэнымкIэ федеральнэ агентствэм, Урысей Федерацэм ЩIыналъэ зыужьыныгъэм и министерствэм, Урысей Федерацэм и Правительствэм Промышленностымрэ инфраструктурэмкIэ и департаментым — унафэщI къулыкъухэр щиIыгъащ. 2010 гъэм гъатхэпэм и 11 лъандэрэ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и къуэдзэу лэжьащ. Урысей Федерацэм етIуанэ класс зиIэ и действительнэ къэрал чэнджэщэгъущ. Дызэрыщыгъуазэщи, «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и къалэн нэхъыщхьэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым, Краснодар крайм, Адыгей республикэм турист кластер къыщызэгъэпэщынырщ. А проектым ипкъ иткIэ, дунейпсо мардэм къитIасэ бгы-лыжэ курортхэр щащIынущ Краснодар крайм, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэм, Дагъыстэным, Ингушым. Мыбы хиубыдэу лыжэ къэжыхьыпIэу километр 1000-м щIигъу, кIапсэрыкIуэ гъуэгуу 250-рэ, псори зэхэту цIыху мини 170-рэ зэуэ зыщIэхуэн хьэщIэщ зэмылIэужьыгъуэхэр ящIынущ. Мы ухуэныгъэм къэралым и ахъши инвестор щхьэхуэхэм я мылъкуи къыщагъэсэбэпынущ. Къэралым сом мелард 60 тригъэкIуэдэнущ курортым и транспорт, коммунальнэ инфраструктурэр зэтегъэувэным. «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» ОАО-м и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25707.txt" }
IуэхуфIхэм зезыпщытхэр Иджыблагъэ КъБКъУ-м и медколледжым щагъэлъэпIащ республикэм и волонтер нэхъ жыджэрхэр. Пшыхь дахэр еджапIэм и къэфакIуэ ансамблым къызэIуиха нэужь, утыкум ирагъэблэгъащ гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ медколледжым и унафэщIым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэзрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр щIалэгъуалэ центр» къэрал IуэхущIапIэм и унафэщI Жаным Сэидэрэ. Ахэр щIалэгъуалэм ехъуэхъуащ зызрапщыт IуэхуфIхэм дяпэкIи ехъулIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьэну, хуагъэфэща я щIыхь тхылъхэри иратыжащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, мы волонтерхэр лъы тыным, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ пэщIэтынымкIэ зэхыхьэхэм жыджэру зэрыхэтыр, къищынэмыщIауэ абыхэм жылагъуэ зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэгъэпэщыным я къару ирахьэлIэ. Концерт яублам и макъкIи и теплъэкIи куэдым ягу дыхьэ уэрэджыIакIуэ Шалуховэ Лилэ хэтащ, индие къафэ зыгъэлъэгъуа, гимназие №13-м и еджакIуэ Къуэдзокъуэ Альбини Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ. «Верди-стар» зэхьэзэхуэм 2012 гъэм хэта Саенкэ Евгениерэ а зэпеуэм пашэ щыхъуа Мыкъуэжь Джульеттэрэ жаIа уэрэдхэри ягу дыхьащ. пшыхьым и кIэухым «Kavkaz Vizion» конкурсым хэта ХьэIупэ Къантемыр пщащэхэм ехъуэхъуащ Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэ къэблагъэмкIэ икIи «Девушки Кавказа» уэрэдыр тыгъэ яхуищIащ. ДЖЭДГЪЭФ Маринэ, «Къэбэрдей-Балъкъэр щIалэгъуалэ центр» къэрал IуэхущIапIэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25709.txt" }
Зыгъэсэныгъэр яухащ, адэкIэ зэпеуэ нэхъыщхьэр къапоплъэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012 — 2013 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм зыхуэгъэхьэзырын яухащ. Тыркум къикIыжын и пэкIэ абыхэм зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ Данием и «Вест Исланд» командэм драгъэкIуэкIащ. «Спартак-Налшыкым» и тренерхэм мы зэIущIэм къыщапщытэжын хуейт мазитIкIэ зырызагъэхьэзырам кърикIуахэр, япэ дивизионым щекIуэкIыну зэпеуэм тегъэщIапIэ щащIынухэм я щытыкIэр, ахэр джэгупIэ губгъуэм зэрыщызэгурыIуэр. Данием и футболистхэм яIэр апхуэдэ дыдэ къалэнт. ЗэIущIэр удэзыхьэх хъуащ. Абы и япэ Iыхьэм командэхэр топ зырызкIэ зэхъуэжащ. Налшыкдэсхэм къахэжаныкIар Колумбием щыщ гъуащхьэхъумэныкъуэ щIалэщIэ Рау Карлосщ. Метр пщыкIузым и деж щыту абы топыр дигъэкIащ. Загъэпсэхуу къихьэжа и ужькIэ «Вест Истланд»-м тепщэныгъэр иубыдащ. Абы кърикIуащ текIуэныгъэр къахуэзыхьа топыр «Спартак-Налшыкым» и гъуэм дагъэкIынри. 1:2-уэ къыхагъэщIауэ ди щIалэхэм зыгъэсэныгъэхэр яухащ. Абы, дауи, гукъыдэжыр къиIэтакъым, ауэ зыщыгъэгъупщэн хуейкъым зэIущIэ нэхъыщхьэхэр дяпэкIэ къазэрыпэщылъыр. Нобэ «Спартак-Налшыкыр» Тыркум икIынурэ Новосибирск кIуэнущ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, ди щIалэхэр «Металлург-Кузбасс»-м а къалэм гъатхэпэм и 11-м щыдэджэгунущ, Новокузнецк и стадионыр зэкIэ зэпеуэм зэрыхуэмыхьэзырым къыхэкIыу. Жыласэ Заурбэч. Къумыкъум и гъэсэнхэм Суперкубокыр къахь Иужьрей илъэситIым Къэзахъстаным футболымкIэ и чемпион хъуа адыгэ щIалэ Къумыкъу Виктор зи тренер нэхъыщхьэ Караганда и «Шахтёр»-м къэралым и Суперкубокыр къихьащ. Гъатхэпэм и 3-м Къэзахъстаным и къалащхьэм щызэIущIат къэралым и чемпион Караганда и «Шахтёр»-мрэ кубокыр къэзыхьа «Астана»-мрэ. Къумыкъум и гъэсэнхэр 2:0-у япэ зэрищам игъэбэлэрыгъащ икIи топитI къыдрагъэгъэкIыжри, джэгум хухаха зэманыр зэрытемыгъакIуэу иухащ. АрщхьэкIэ мы зэIущIэм текIуар Iэмал имыIэу щызэхэкIыпхъэти, аргуэру сыхьэт ныкъуэ къыщIагъуащ. Ар иухыным дакъикъищ фIэкIа имыIэжу «Шахтёр»-м текIуэныгъэр къыхуэзыхьа топыр карагандадэсхэм дагъэкIыну яхузэфIэкIащ. Арати, Къумыкъу Виктор и гъэсэнхэм Суперкубокыр къахьащ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ икIи тыгъэ нэхъыщхьэр текIуахэм яритыжащ Къэзахъстаным и президент Назарбаев НурсулътIан. ХьэщIэу ирагъэблэгъахэм яхэтащ «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэу щыта Красножан Юрэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25717.txt" }
Зэхьэзэхуэшхуэм «гъэщIэгъуэну» тхуигъэхьэзырхэр 2012 гъэм и гъэмахуэм Лондон щекIуэкIа Олимп джэгухэм я ужькIэ спортыр фIыуэ зылъагъухэм я плъапIэр Сочэщ. Ар икIи гъэщIэгъуэнкъым: къыкIэлъыкIуэ ЩIымахуэ олимп джэгухэр щекIуэкIынур Урысейрщ. ИлъэсиплIым зэ щыIэ спорт зэхьэзэхуэ нэхъыщхьэр егъэкIуэкIыным Ипщэ къалащхьэр зэрыхуэхьэзырым нэмыщI, иджыри зы Iуэху псоми яфIэгъэщIэгъуэнщ: Олимпиадэ Хужьым и щэнхабзэ программэр сыт хуэдэну, ар къызэзыгъэпэщхэм гъэщIэгъуэну сыт къагупсысыну, спортсменхэм, хьэщIэхэм телъыджэ ящыхъун хуэдэу? Сочэ и Центральнэ стадионым олимп мафIэр щыщIагъэнэну махуэр — 2014 гъэм мазаем и 7-р — къэсыным къэнэжар илъэс иримыкъущ. А пIалъэм къриубыдэу, шэч хэмылъу, дегупсысынущ Джэгур къызэрызэIуахыну, зэрызэхуащIыжыну щIыкIэм. Абы ехьэлIа япэ хъыбарыр къызэрыIурэ куэд щIакъым, къызыбгъэдэкIари «Известия» газетырщ. Журналистхэм я жыIэм тепщIыхьмэ, Олимп джэгухэр къызэIуахынущ урыс таурыхъхэм я лIыхъужьхэмрэ япэ урыс пащтыхьымрэ зыхэт теплъэгъуэкIэ. Джэгухэр къызэIухынымрэ зэхуэщIыжынымрэ къызэгъэпэщынымкIэ Агентствэм и Iуэхум хэзыщIыкIщ ар жызыIар. — Пэжщ, къэна зэманым иджыри зыгуэрхэри яхъуэжыфынущ. НэгъуэщI сценариехэри щыIэщ, ауэ иджыпстурейр нэхъыфIу къалъытэ, — жеIэ газетым и псэлъэгъум. Сценищым шоу щекIуэкIынущ, етх газетым. Махуэшхуэр Iыхьибгъуу гуэшауэ щытынущ — дэтхэнэ зыми щхьэхуэу къиIуэтэнущ урысей тхыдэм и зы пычыгъуэ. Япэм, «Къеблагъэ Сочэ!» зыфIащам, утыку къыщихьэнущ лъэныкъуищкIэ къикIыну шы зэщIэщIахэр. Дыгъэм игъэнэху гъуэгум тету ахэр етIуанэ утыкум лъэхъу-лъэущу хуэкIуэнущ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ар Гоголь Николай и «Мертвые души» тхыгъэм щыщ Iыхьэ уи нэгу къыщIэзыгъэхьэщ. А зэманым ирихьэлIэу ещанэ сценэм Олимп джэгухэм я дамыгъэ уэрдыхъуитхур, япэм — мылылъэ утыкур къихутэнущ. ИужькIэ, «Кремлым и псэ» зыфIаща Iыхьэм хыхьэу, Урысейм и ныпыр яIэтынущ. ИтIанэ мыл утым тепщэ щыхъунущ Камчаткэм, Урал къуршхэм, Чукоткэм, Iуащхьэмахуэм, Байкалым, хы Хужьым, нэгъуэщIхэми я дамыгъэхэр. Ахэр зыуэ зэхыхьэжынурэ, псори дыгъэм игъэнэхунущ. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым а теплъэгъуэм фIищащ «ЦIыху куэд — зы лъэпкъ». КъыкIэлъыкIуэу «Мис-тIэ лIыхъужьхэри» Iыхьэр щIидзэнурэ, Олимпиадэм хэтынухэр блэкIынущ. Къэрал псоми я спортсмен гупхэр утыку къихьа иужь, къэралым и курыт лIэщIыгъуэм и тхыдэм хухахауэ «Мыл лъабжьэм щIэлъ хъыбарыжьхэр» Iыхьэм щIидзэнущ. Члисэ чэщанибгъум я теплъэм хэту къэунэхунущ урыс таурыхъхэм я лIыхъужьхэр — русалкэхэмрэ пелуан 33-рэ. КъыкIэлъыкIуэ Iыхьэр «Урысей пащтыхьыгъуэрщ». Япэ утыкум щыплъагъунущ кхъухьитху хъу флот Петр Езанэр зи пашэр, етIуанэм — императорым и унэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ колоннэ 22-р, я инагъкIэ зэщхьэщыкI люстри 5-р, псыутхи 10-р. «А лъэхъэнэм иужькIэ псори XX лIэщIыгъуэм къыщыхутэнущ, — етх газетым. — Зэманыр ди нэгу къыщIагъэувэнущ архитектурэ ухуэныгъэхэмрэ (утыкум унэ 15 итынущ) геометрие теплъэхэмкIэ (хъурей, плIимэ, щимэ, н.). А псор уэшхышхуэм хэсыхьынущ. Гъунэгъу утыкум локомотивих, лъэмыжуи апхуэдиз, скульптурэ зэхуэмыдэхэр итынущ. МахуэщIыр иухынущ олимп мафIэр зэрыщIагъанэмкIэ». «Сочэ-2014»-м и КъызэгъэпэщакIуэ комитетым 2011 гъэм и гъэмахуэм къыхилъхьауэ щытащ олимпиадэр къызэрызэIуахынумрэ зэрызэхуащIыжынумрэ я сценарий нэхъыфIыр къыхэхыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. ТекIуахэр хэIущIыIу хъуат, ауэ абыхэм я гупсысэр къамыгъэсэбэпыжыну мурад ящIащ. — Сценарийхэм ехьэлIа Iуэху еплъыкIэхэр хуабжьу зэщхьэщыкIырт. Дауэ мыхъуми, абы фIы дыдэу хомыщIыкIыу, илъэс куэд хъуауэ утемылажьэу сыткIи зыхуей хуэза сценарий бгъэхьэзырыфынукъым, — жиIащ Олимп джэгухэр къызэIухынымрэ зэхуэщIыжынымрэ къызэгъэпэщынымкIэ Агентствэм и генеральнэ унафэщIу щыта Бачурин Илья. Урысейм и дамыгъэу Джэгухэр къыщызэIуахынум хагъэхьахэмкIэ экспертхэр зэкIэ арэзыщ, ауэ абы зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр халъхьэнкIэ хъунущ. МыгурыIуэгъуэр зыщ: мы щIыпIэр зей адыгэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къыхэщыну Олимпиадэм и щэнхабзэ программэм? Абы теухуауэ хъыбар лъэпкъ щыIэкъым. НЫБЭ Анзор.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25719.txt" }
Iуащхьэмахуэ лъапэ щызэхуос КъБКъУ-м и щIэныгъэ базэу Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэм дунейпсо щIэныгъэ конференц къыщызэIуахащ. Абы и лэжьыгъэм хэтыну къэкIуащ къэралыгъуэу 10-м я лIыкIуэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и щIэныгъэлI пажэ ХъуэкIуэн Мурат щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, хабзэ зэрыхъуауэ, илъэс къэс ирагъэкIуэкI мы зэхуэсым и мыхьэнэм кIуэ пэтми хохъуэ. Энергие ин зиIэ пкъыгъуэхэм я къэгъэсэбэпыкIэм теухуа конференцым къыщыпсэлъэнущ КъБКъУ-м и щIэныгъэлIхэр, студентхэр, аспирантхэр. Къапщтэмэ, ядернэ энергетикэм и лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэфI зиIэхэм мы центрыр хабжэ. Абы и щыхьэтщ илъэс куэд хъуауэ мыхэр жыджэру Европэмрэ Америкэмрэ я щIэныгъэ IэнатIэ щхьэхуэхэм зэрадэлажьэр. — Конференцым Iэмал къыдет илъэс къэс мы дунейм къыщыунэху нэхъ къэхутэныгъэ инхэм дыхэгъуэзэну, дэ езым ди зэфIэкIхэр нэгъуэщIхэм я деж нэтхьэсыну. Псом ящхьэращи, къэралыгъуэ куэдым къикIа щIэныгъэлIхэр я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэдэгуэшэну Iэмал ягъуэт. Ар дэтхэнэ зымкIи дерсышхуэщ, — жеIэ ХъуэкIуэным. ЛЪОСТЭН Музэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25721.txt" }
Макъамэр зи псэм хэлъ Гуащэкъарэ Урыс-Кавказ зауэм и гуащIэгъуэм хеубыдэ Хьэжрэт Къэбэрдейр, иджы Къэрэшей-ШэрджэскIэ зэджэм и Iыхьэр, къыщыунэхуа зэманыр. «Къэбэрдейр IэмыщIэм илъщ, къэбэрдейхэр илъкъым», — щатхырт урыс генералхэм Мэзкуу ирагъэхь дэфтэрхэм. А щIыналъэм щыщт Япэ дунейпсо зауэм и зэманым етIуанэ Iэпхъуэгъуэр зи натIэ хъуа БырмамытI зэкъуэшищыр. Революцэ къэблагъэр фIым ущызымыгъэгугъ хъыбаркIэ уэркъ унагъуэм къыщыпежьэм, зэшитIым хуабэ уз къызэуэлIа я къуэшыр Къэбэрдейм къашэжри, езыхэр Хэкум икIащ, сымаджэр лIэмэ, ар щIалъхьэжыныр благъэхэм пщэрылъ хуащIри. Тыркум щытIысу иужькIэ Иорданиер хэкущIэ зыхуэхъуа БырмамытIхэ газетеджэхэм яцIыхупхъэщ къэралым и лIыкIуэу, пащтыхь Хъусен и щхьэхъумэхэм я Iэтащхьэу, Иордан дзэм и штабым и унафэщIу щыта БырмамытI Фоуаз и щапхъэмкIэ. Ауэ куэд щыгъуазэкъым Къэбэрдейм ис БырмамытIхэр ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа зэкъуэшищым я зым, хуабэ узым къелам, къызэрытехъукIам. А лъэпкъ хьэлэмэтым щыщщ гъэ блэкIам илъэс тIощIиплI ирикъуа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, нобэ ди хьэщIэ пшынауэ Iэзэ БырмамытI Гуащэкъарэ. ДэнэкIэ удаIуэми, «кIыритI-мыритIщ» я нэхъыбэр БырмамытI Гуащэкъарэ. 2012 гъэ Еуэщ-еуэри СэрмакъкIэ зэджэ адыгэ къуажэм зы хъыджэбз цIыкIу щыпсэут… пшынэ ирамыгъауэу. И шыпхъу нэхъыжьыр пшынауэ Iэзэт, ауэ а зэманым а IэщIагъэр куэдым зэрамыIэм къыхэкIыу, пшынауэхэр гугъу ехьырт, унэрыхьэ-унэрыкIыу гуфIэгъуэхэм къыщрашэкIыурэ. Унагъуэ ихьа и шыпхъур къыщашэжым жэщ псокIэ къуажэр къызэхэзыкIухьу пшынауэ зымыгъуэта адэм тхьэ иIуэри, ипхъу нэхъыжьыр пшынауэ ищIат. Ауэ иIуэтэжа нэужь, пшынауэу ущытыным пылъ гугъуехьым пхъу нэхъыщIэр щахъумэн мурадкIэ, иджы абы пшынэр фIагъэпщкIурт. АрщхьэкIэ, Iущым зэрыжиIащи, Iэзэм зебгъэужьыну ухуеймэ, Iэмал иумыт: хэлъэт зиIэм езым и гъуэгу къигъуэтыжынущ. Нэхъыжьхэр губгъуэм лэжьакIуэ щыIэху, школым къикIыжа хъыджэбз цIыкIум, ар ебланэ классым щIэс Гуащэкъарэт, пшынэ гъэпщкIуар къигъуэтырти, пшыналъэр къызэрихырт… БырмамытI Гуащэкъарэ: — Зы ноти сщIэркъым, игъащIэм нотэкIи сеуакъым. Адыгэ къафэмрэ нотэмрэ зэбийщ, гурыгъуазэкIэт Iэпэхэр къызэрысщтэр. Пэжщ, уэрэдыр хуейщ нотэ, ауэ къафэм и «псэр» пшынауэращ. Абы зыхимыщIэр, Iэпхъуамбэр и чэзум теппIытIэ къудей щхьэкIэ, пшынэм къикIынукъым. Гуащэкъарэ и пшынэ еуэкIэр хьэрфкIэ къыпхуэмыIуатэми, пшынэбзэ зэгъэзэхуар абы и псэлъэкIэм къыфIыхохьэ. Таурыхъым хэта хъыджэбзыфIым ещхьу, псэлъэху и Iупэхэм «удз гъэгъа е мывэ лъапIэ къаIэпоху». Нэхъыжьхэр щыпсалъэм и деж я зэманыгъуэр къэзымыгъэзэжын фIыгъуэу уи нэгу къыщIагъэхьэ. Нэхъыбэм ар къызыхэкIыр лъэхъэнэжьыр щIалэгъуэ блэкIам и дамыгъэ зэрыхъур арагъэнщ. Сыт-тIэ Гуащэкъарэ «и зэманым» щыIауэ иджы щымыIэжыр? Пшынэ? Къафэ? Хьэуэ. Иджы пасэм ящIэу щымыта къафэжьхэри къагъуэтыжащ, щIалэгъуалэми адыгагъэм зратауэ къэфэнри, пшынэ еуэнри, уэрэд жыIэнри я щIасэщ. Ауэ… Гуащэкъарэ - концертым. 1972 гъэ — Иджырей къафэхэри уэрэдхэри дэ щыгъуэ щыIахэм зэи ялъэщIыхьэнукъым. Ар езы зэманым къиша Iуэхущ. Мис нобэ мывэ бдзымэ, пшынауэм е уэрэджыIакIуэм техуэнущ, ауэ щыхъукIэ Нэхущ Чэриму щыIэр зыщ. ДэнэкIэ удаIуэми, кIыритI-мыритIщ я нэхъыбэр. Дамэ стетамэ, сылъэтэнт Гуащэкъарэ и щIалэгъуэр иджы тхыдэ хъужащ. «Къэбэрдей народыр езым и псэм фIэфIу» Урысейм гуэтт, республикэм лъэпкъым и фIэщIыгъэр зэрихьэрт, IуэхущIапIэхэр зэрылажьэри дэфтэрхэр зэрызекIуэри адыгэбзэт …урысыбзэр нэгъэсауэ зэрамыщIэм къыхэкIыу. — 1950 гъэращ сэ «Кабардинка» ансамблым сыкъыщащтар. Иджы зэпеуэ ирагъэкIуэкI, абы щыгъуэм къэпщытакIуэхэм ущIашэурэ щхьэхуэу къодаIуэрт. Сэ къызэдэIуахэм Къашыргъэ КIурацэ яхэст. «Мыр бутIыпщыж хъунукъым», — жаIэри, етIуанэ махуэм сыкIуэну унафэ къысхуащIащ, нэгъуэщI зы пшынауэ яIэти, ар IуагъэкIыжащ. КIурацэ пшынэ бэлыхь иIыгът, сэри зи пIэкIэ сыкъащтам ейр къысIэщIалъхьэри: «Иджы мыбы еуэт, иджы — адрейм» жиIэурэ, КIурацэ макъамэр иришажьэу, сэ абы сыкIэлъеуэурэ зыкъомым сригъэсащ. ФIыщIэр сыт щхьэкIэ гъэкIуэдын хуей, КIурацэ къаруушхуэ къыстригъэкIуэдащ, и лэжьыгъэшхуи схэлъщ. Iэпхъуамбэ курытыр хэзгъэхьэфыртэкъым сыщеуэкIэ, арати, и щхьэгъусэри езыри къызэлIэлIащ: «А уи Iэпхъуамбэ цIыкIур хэмыхьэу хъунукъым», — жаIэурэ. А гъуагъуиплIрат адыгэ пшынэу щыIэр, Iэпэ пщыкIух е пщыкIуий хъууэ. Иныкъуэхэм Къэзан кърашырт, ауэ пшынащIэ Iэзэхэри щыIэт. «Кабардинкар» къэунэхуагъащIэти, тIысыпIэ къахуэмынэжу цIыхухэр концертхэм къекIуалIэрт. Совет зэманыр лэжьакIуэм ейтэкъэ: «Iэщыхъуэхэм я махуэт» хьэмэрэ «Нартыху-гъэкIхэм я махуэт» — сыкъызэращтэрэ махуищ фIэкIа дэмыкIауэ, Къашыргъэ КIурацэ сымаджэ мэхъу. Репетицэ сагъэщIри арэзы хъуахэщ, етIуанэ махуэм сыкIуэну къызжаIащ, арщхьэкIэ концертым сызэрыхэтын бостей сиIэтэкъым. И чэзум сыкъакIуэри: «Сэ бостей сиIэкъым», — жысIэри сакъыхуэуващ. «Умыгузавэ, КIурацэ и фащэр къыпхуэтхьащ», — къызжаIащ. КIурацэрэ сэрэ дызэхуэдизти, схуэфIыпсу схуэкIуащ и бостейр, и пшынэри къысIэщIалъхьащ. Пшынэ уеуэныр — зы, къэфакIуэм зыкъыбдригъэкIуфын хуэдэу, къафэр къибгъэкIыныр — етIуанэ. Концертыр щиухам, дамэ стетамэ, сылъэтэнт, апхуэдизкIэ си гур хэхъуэрт, сыщымыуэу зэрезгъэкIуэкIыфам щхьэкIи. Нэхущ уджыр БырмамытIхэ Фоуазрэ Абдулларэ я гъусэу.Иордание, 1974 гъэ Телефоныр къемыжьэ щIыкIэ, гухэлърэ хъыбаррэ зэIэпыхын къалэныр уэрэдхэмрэ письмохэмрэ ягъэзащIэу щытащ. «Къызэпсалъэ, телефонкIэ къызэпсалъэ»,- мэлъаIуэ совет зэманым цIэрыIуэу щыта уэрэдхэм ящыщ зыр. «Смс» къысхуегъэхь!»,-жеIэ нобэрей уэрэджыIакIуэм. Ауэ дунейр иджыри «кIапсэкIэ щызэпамыщIа» зэманым щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ я гурылъхэр зэрызэлъэIэсыр уэрэдрэ къафэкIэт. Нэхущ уджыр ирагъажьэ, ЗэIэпэгъухэри йоуджэкI. Уэ зым си нэр птедиями, НэгъуэщI щIалэхэмкIэ усфIоплъэкI. Дыздэуджу дыздытетым Собзэрабзэурэ узошэкI, Си хъуэрыбзэхэм уемыдаIуэурэ, НэгъуэщI щIалэхэмкIэ усфIоплъэкI. Си гум къеуэу лъагъуныгъэм СыщIэупщIэурэ сыпхуоплъэкI. Жэуапыншэу сыкъогъанэри, НэгъуэщI щIалэхэмкIэ усфIоплъэкI. Уэ упагэмэ, сыерыщкъэ, Ерыщагъри къызобэкI. Лъагъуныгъэ уэзгъэщIынкъэ, НэгъуэщI щIалэхэмкIэ уемыплъэкI. ФIыщэ Iейурэ услъэгъуащ… Мы уэрэдым и псалъэхэри и макъамэри зэхэзылъхьа ДыщэкI Залымхъан Гуащэкъарэ зэрыдэпсэуар илъэс закъуэщ. Мылицэм хэт щIалэм усэбзэри макъамэри хуэжыIэщIэу а зэманым зыри щыгъуазэтэкъым. Уэрэд зыхилъхьар радиом ихьри, абы и унафэщIым елъэIуащ Гуащэкъарэ иригъэдэIуэну. — «КхъыIэ, къомыт радиомкIэ!» — селъэIуащ редакторым. «Дауэ къызэрызмытынур, сэ езым къызолъыхъуэ мыпхуэдэ уэрэд!» — жиIэри, сызытригъэхьакъым. Шууищэ щхьэкIэ дыкъикIуэтынукъым Дуней псом тегуэша адыгэ лъэпкъым зи лъабжьэр щыукъуэдия БырмамытIхэ зэпэIэщIэ ищIарэ нэхъ гъунэгъу зэхуищIыжарэ жыIэгъуейщ, Гуащэкъарэ и къуэпсыр здынэса къэралхэм уащыхэплъэкIэ. Абы хеубыдэ и къуэрылъху хъыджэбзыр щыпсэу Иорданиери, и пхъурылъху пщащэм и насып къыщигъуэта Америкэри. Ахэр зыхэхуа хамэ къэрал адыгэ унагъуэхэр сыт щыгъуи хьэзырщ анэшхуэ цIэрыIуэр ирагъэблэгъэну. Ар икIи Гуащэкъарэ мызэ-мытIэу къехъулIащ — Иорданием Къатхэ я деж, Чыгъэдухэ я деж Нью-Джерси штатым мызэ-мытIэу щыIащ. Хэкум Гуащэкъарэ зэм и пхъум деж Налшык, зэм и къуэм деж Къармэхьэблэ щожьыщхьэ махуэ. «Адыгэ унагъуэжьу допсэу, шууищэ щхьэкIэ дыкъикIуэтынукъым», — и псалъэ къэс егъэблагъэр щIагъыбзэу щIэту мэуэршэр Гуащэкъарэ. Ауэ нобэ пшынэм нэхърэ игу нэхъ дыхьэр зэчырхэращ. Иорданием ягъэкIуа лIыкIуэхэм яхэту. 1979 гъэ — Уи гур арэзы зытехъуа гъащIэ дахэ къущитакIэ, узэрылIэжынур щыпщIэкIэ, уи жьы хъугъуэм нэхъ узэлIэлIапхъэр муслъымэныгъэращ. Жэщи махуи зэчыр седэIуэнт! Политикэ лъэхъэнэ куэдым пхыкIа, хамэ къэрал зыбжанэм адыгэ псэукIэм щыхэплъэну Iэмал зиIа Гуащэкъарэ къыджиIащ нобэрей Iуэху зехьэкIэр къызэрыщыхъури: — СыщыщIалэми иужьыIуэкIи сыщыIащ къэрал куэдым, адыгэ псоми я псэукIэм сеплъащи, нобэ адыгэм и Iуэхур дэкIыу сэ схужыIэнукъым. ЗыщIыпIи щыщIагъуэкъым. Ауэ фIым ущымыгугъмэ, улIа пэлъытэщи, фIым щыгугъыпхъэщ, нэхъыфIыр Тхьэм къыхуищIэ дэнэкIэ щыIэ адыгэми. Алыхьу дыкъэзыгъэщIам сыт и лъэныкъуэкIи ди лъэпкъыр иригъэфIакIуэ, пщэдейрей махуэм фIыкIэ IущIэн Тхьэм дищI. Чэрим Марьянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25723.txt" }
Къэзанокъуэ Жэбагъырэ и щхьэгъусэмрэ я сынхэм теухуауэ КультурологиемкIэ кандидат диссертацэр (2010 гъэ) Къэзанокъуэ Жэбагъы и гъащIэмрэ и дуней еплъыкIэмрэ тезыухуа ЩауэцIыкIу Людмилэ зэрыжиIэмкIэ, Налшык жыг хадэм адыгэ философым и «сыныр щырагъэува зэманри абы и щхьэусыгъуэри IупщIу щыткъым». Къэзанокъуэ Жэбагъырэ и щхьэгъусэмрэ я сынхэр. «Адыгэ (къэбэрдей) IуэрыIуатэ» тхылъыр (1936 гъэ) зыгъэхьэзырахэм ящыщ Талпэ Михаил къызэрилъытэмкIэ, «ар епхащ XIX лIэщIыгъуэм и кIэуххэм Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ къыщыунэхуа революционнэ зэхэщIыкIым». Ди щIыпIэм и тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ фIыуэ зылъэгъуа Баранов Евгений 1885 гъэм щIышылэм и 1-м къыдэкIа «Терские ведомости» газет номерым мыпхуэдэу щетх: «1888 гъэм урыс пащтыхьым Къэбэрдей мэзхэмрэ хъупIэхэмрэ игъащIэкIэ адыгэ цIыхубэм зэхуэдэу къагъэсэбэпыну хуит ищIа нэужь, адыгэхэм унафэ къащтащ Жэбагъырэ абы и етIуанэ фызу щытамрэ я мывэ сынхэр Налшык слободам и бульварым къагъэIэпхъуэну, Жэбагъы и чэнджэщ Iущхэр зэи цIыхубэм ягу имыхуу, Къэзанокъуэм къызэринэкIа псалъэ пэжхэм тету я къэкIуэну гъащIэр яухуэн гугъэр яIэу псэун папщIэ», — жери. Адыгэ IуэрыIуатэм ипкъ иткIэ Барановым итха «Жэбагъырэ и фызымрэ» хъыбарыр Псыхуабэ къыщыдэкIыу щыта «Голос курорта» газетым 1910 гъэм жэпуэгъуэм и 9-м къытригъэдзауэ щытащ. КIэщIу жытIэнщи, Жэбагъы и къуажэр здэщыса щIыпIэм теухуа зэныкъуэкъу куэд нобэр къыздэсым къокIуэкI. Ауэ щыхъукIи, зыщыгъэгъупщэн хуейкъым къуажэ куэдым я тхыдэр (хъыбарыр) урыс пащтыхь унафэкIэ Къэбэрдейм щрагъэкIуэкIа карательнэ экспедицэм и мафIэ лыгъэм зэрыхисхьар… Гугъэ гуэрхэр уегъэщI а илъэсхэр (1821 — 1822 гъэхэр) къызэщIиубыдэу Хъан-Джэрий и «Записки о Черкессии» (1836 гъэ) тхылъым чэрчэней адыгэ лIакъуэм я деж, Псыжь адрыщIкIэ, уэркъ Къэзанокъуэхэ я къуажэ №13-р, «КъэзанокъуейкIэ» зэджэр къыIусу къызэригъэлъагъуэм ар Жэбагъы къызыдэкIа къуажэу хуэбгъэфащэ хъуну. Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я пасэрей мывэ сын щIэинхэм цIыхухэм къытрана дамыгъэхэм, тхыпхъэхэм, тхыгъэхэм къарыкI мыхьэнэр зэпкърыхыным куэд щIауэ щIэныгъэлIхэр йолэжь. Абыхэм яхэтщ тхыдэтх-этнографхэр, эпиграф тхыгъэхэр зэпкърызыххэр, филологхэр, антропологхэр, археологхэр, нэгъуэщIхэри. И цIэ ипIуэ хъунущ ди щIыналъэр джынымкIэ зэфIэкIышхуэ зиIа щIэныгъэлI Лавров Леонид. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, куэд щыгъуазэкъым Москва щыIэ «Наука» тхылъ тедзапIэм «Эпиграфические памятники Северного Кавказа на арабском, персидском и турецком языках» фIищауэ тхылъищ хъу лэжьыгъэ (1967, 1968, 1980 гъэхэм) къызэрыщыдигъэкIауэ щытам. ЗэкIэ дэ нэхъ дыкъызытеувыIэнур Лавровым и етIуанэ тхылъым Къэзанокъуэ Жэбагъырэ абы и щхьэгъусэмрэ теухуауэ къыщыхьа Iыхьэхэрщ. Япэ сыныр 508-нэ номерым щIэтщ. Лавров Леонид зэритхымкIэ, ар КъБАССР-м и Бахъсэн районым хыхьэ Гундэлэн къуажэм кърашащ. Абы тетхащ: «Мыр зейр Тхьэм зыхуигъэгъун Хьэжы Жэбагъ Къэзанокъуэ. Тхьэ лъапIэм къахуигъэгъу тIуми! Я псэм лъэIэсыну фатихьэ!» ХьиджрэмкIэ 1163 гъэр григориан зэманырыбжэмкIэ 11.XII.1749 — 29. XI.1750 гъэхэм тохуэ. ЕтIуанэ сын 525-нэ номерым щIэтым (щIэныгъэлIым зэритхымкIэ, ари Гундэлэн кърашаш), Жэбагъы и сыным бгъэдагъэувам тетщ: «Тхьэм зыхуигъэгъун цIыхубз… ипхъу … Тхьэ лъапIэм тIуми … илъэсыр 1183». КIэщIу жыпIэмэ, Лавровым етх мы сынхэр абы щыгъуэм Бахъсэн жылагъуэбэм хыхьэ Гундэлэн кърашу Налшык и Къэбэрдей скверкIэ зэджэм къахьауэ [Еплъ.: Лавров, «Об арабских надписях, ст. 104. табл. 1. подпись IV». «Эпиграфические памятники Северного Кавказа на арабском, персидском и турецком языках» II тхылъ. М.: Наука, 1968. нап.58, 63]. Хьэрып тхыгъэу сыным тетхэм ехьэлIауэ нэхъыбэ къэзыщIэну хуейхэр Лавров Леонид и IэдакъэщIэкI лэжьыгъэм и 109 — 110 напэкIуэцIхэм еджэ хъунущ. Лъахэхутэ, тхакIуэ Котляров Виктор зэрыжиIэмкIэ, «мы сынхэр 1957 гъэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Медицинэ факультетым и гъунэгъуу щыIэ Щхьэхуитыныгъэм и жыг хадэ цIыкIум къагъэIэпхъуащ». Котляров «сыныр Налшык ищхьэкIэ, Кэнжэ аузым, щыIэнкIэ Iэмал иIакъым» зэрыжиIэм техуэркъым ЩэрэлIокъуэ Талъустэн къигъэлъагъуэр. ЩэрэлIокъуэ Талъустэн (езым «Тау-СулътIан» жиIэу итхыуи щытащ) а сынхэм я хъыбарым хужиIэр мыращ: «Налшык къалэм щыIэ Щхьэ-хуитыныгъэм и хадэм сынитI итщ зэбгъэдэтыпэу, гъущI хъаркIэ къэхухьауэ. Ар Къэзанокъуэ Жэбагъырэ абы и щхьэгъусэмрэ я сынхэрщ, я бынхэм хуагъэувауэ. Муслъымэн дин махуэгъэпсым укъыдэбжэмэ, Жэбагъы 1163 гъэм, и щхьэгъусэр — 1183 гъэм дунейм ехыжащ. Сынхэр мыбы къашащ илъэс 25-рэ хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ. Абы и пэкIэ ахэр Кэнжэ пэмыжыжьэу «Къэзаныкъуей» аузым щыIащ. Абдеж XVIII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм щысащ «КъэзаныкъуейкIэ» зэджэу щыта адыгэ къуажэр» [Еплъ.: Либретто «Краткое содержание живой картины из жизни Джабага Казанокова. По постановке Т. А. Шеретлокова». 1922 гъэ, шыщхьэIум и 11. Зи гугъу тщIы Iэрытхыр УФ-м и ФСБ-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ и Управленэм и архивым хэлъщ. ЩэрэлIокъуэм и либреттэм нэхъ куууэ зыщызыгъэгъуэзэну хуейхэр еплъ хъунущ «Къэбэрдей драматургиер 1920 — 1930 гъэхэм» учебник-хрестоматием (Налшык: Эльбрус, 2003) и 171 — 172 напэкIуэцIхэм. АБАЗЭ Албэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25730.txt" }
Зэманым емыфэгъуэкI лIыгъэ Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа ди лъэпкъэгъухэм ящыщщ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор япэу ди республикэм щыхъуа профессор цIэрыIуэ, Естественнэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, ЩIэныгъэхэмрэ гъуазджэхэмкIэ Петровскэ академием я академик, УФ-м, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Къумахуэ Башир Iэбубэчыр и къуэр (1923 — 2006). ЩIэм и лъыхъуакIуэу щыта Къумахуэ Башир и къалэмыпэм къыпыкIа дэтхэнэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэми, щатха зэманым емылъытауэ, ноби мыхьэнэшхуэ яIэщ. А щIэныгъэлI щэджащэр псэужамэ, илъэс 90 ирикъунут. Къумахуэ Башир ЦIыхум игъуэт зыужьыныгъэр, и дуней еплъыкIэр, Iуэху зехьэкIэр зыкъомкIэ елъытащ ар къызыхэкIа унагъуэм. Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щыпсэу Къумахуэхэ Iэбубэчыррэ Куэзэрэ яухуа унагъуэр нэмысрэ хабзэрэ зэрылът, нэхъыжьым — пщIэ, нэхъыщIэм — гъуэгу щигъуэтт. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ яку дэлъу ягъасэрт абыхэм я бынихыр: щIалиплIымрэ хъыджэбзитIымрэ. Еджэныр Къумахуэхэ я унагъуэм щIыпIэ хэха щызыубыд, пщIэ щызиIэ Iуэхугъуэт. КъащIэхъуэ сабийхэм зэрахуэхъуапсэхэр зрагъэхъулIэным хунэмысу, Хэку зауэшхуэм кIуащ Iэбубэчыр икIи абы хэкIуэдащ. А гуауэшхуэм нэгъуэщIи къыкIэлъыкIуащ. Зауэр зэриухрэ куэд дэмыкIауэ, Куэзэ и къуэхэм ящыщ МуIэед зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ. Быныр и закъуэу къигъэтэджын, игъэсэн, иригъэджэн хуейуэ гъащIэм къалэн зыщищIа анэм дежкIэ ари удын хьэлъэт. «Гугъэ здэщыIэм гъащIи щыIэщ», — жиIащ псалъэжьым. И щхьэгъусэр зауэм щыдэкIым къыжриIауэ щыта псалъэхэм гъащIэм къыхуигъэушыжащ Куэзэ. Абы и тхьэкIумэм дапщэщи итт а псалъэхэр: «СыздэкIуэр зауэщ, псэзэпылъхьэпIэщ. КъэзмыгъэзэжынкIэ хъунущ… Сабийхэм яхуэсакъ, хъумэ. Iэмал гуэр бгъуэтыххэмэ, егъаджэ». Iэбубэчыр и уэсятыр игъэзэщIащ Куэзэ. Сабийхэм я пажэ Башир 1923 гъэм къалъхуащ. Зауэм и пэ къихуэу щIалэм къиухат Налшык дэт политпросветтехникумыр. Лэжьыгъэ IэнатIэ тэмэм игъуэтыным хунэмысу, Хэку зауэшхуэр къэхъейри, и ныб-жьыр илъэс 18 фIэкIа мыхъуауэ ари фронтым кIуат, и насып къикIри, 1947 гъэм Iэпсэу-лъэпсэууэ къигъэзэжащ, еджащ. Башир къыкIэлъыкIуэ и анэкъилъхухэми: и къуэшхэу Мухьэдин, Мурадин, и шыпхъухэу Тосэрэ Анусэрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ яригъэгъуэтащ Куэзэ. Тбилиси дэт къэрал университетыр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха Мухьэдин еджэным Москва щыпищащ. Ар щIэтIысхьащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием БзэщIэныгъэхэмкIэ и институтым и аспирантурэм. Кандидат, доктор диссертацэхэр пхигъэкIащ, академик цIэрыIуэ къищIыкIауэ щытащ. Мурадин МКъУ-м ядернэ физикэмкIэ и факультетыр къиухащ, щIэныгъэхэм я докторщ. Дунейпсо цIэрыIуагъ Мурадин къыхуихьащ «Къумахуэм и эффект» цIэр щIэныгъэ дунейм щызыгъуэта и къэхутэныгъэм. Абы щхьэкIэ ар тIэунейрэ ягъэлъэгъуауэ щытащ Нобель и цIэкIэ щыIэ дунейпсо саугъэтыр къратыну. Мы зэманым Мурадин и унафэщIщ Рентген оптикэмкIэ Москва дэт институтым. Зэшыпхъухэу Тоси Ануси КъБКъУ-р къаухащ. Тосэ биологиемкIэ кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIауэ щытащ. Анусэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ илъэс куэдкIэ щригъэджащ я къуажэм дэт курыт школым. Зи сабиигъуэр властыщIэр щIыпIэм щыщагъэув лъэхъэнэм, зи щIалэгъуэр Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм ирихьэлIа Башир щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным къыдэкIуэу, нэгъуэщI къалэн куэди и пщэ къыдэхуат. Зи адэр зыщхьэщымытыж унагъуэшхуэм анэм щIыгъуу ари я тегъэщIапIэт, ахэр зыхуей хуэгъэзэнымкIи абы лъэкI къигъэнакъым. Бын нэхъыщIэхэр пIынымкIэ, лъэ быдэкIэ гъащIэм хэгъэувэнымкIэ Куэзэ хузэфIэкIам Башир и фIыгъэшхуи хэлът. ЩIалэ нэхъыжьыр здынэс щIэныгъэ лъагапIэхэм, дауи, псом нэхърэ нэхъ щыгуфIыкIыр анэрат. Зауэ нэужьым Башир къиухащ Краснодар дэт щIыналъэ парт школыр. КъыкIэлъыкIуэу и зэфIэкIым щыхигъэхъуащ КПСС-м и ЦК-м епхауэ лажьэу щыта Парт школ нэхъыщхьэм. Къэрал, парт IэнатIэхэм пэрытащ, журналистикэми жыджэру хэлэжьыхьащ, экономикэ унэтIыныгъэ зиIэ нэтынхэр телевиденэм щигъэхьэзыру. Абы и зэфIэкIхэм къыхуахьа лъагапIэхэм ящыщщ КъБКъУ-м и егъэджакIуэ нэхъыжьу щIидзэу экономикэмкIэ кафедрэм и унафэщI, университетым и учетно-экономикэ факультетым и декан къулыкъухэм зэрынэсыфар. Мэкъумэш щIэныгъэм зиужьу, ди республикэм КъБКъМА еджапIэ нэхъыщхьэр къызэрыщызэIуахами и лэжьыгъэшхуэ хэлъщ Къумахуэм. Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет хъуа а еджапIэр лъэ быдэкIэ увын, езым хуэдэ IэнатIэхэм ефIэкIыу лэжьэн папщIэ, Башир лъэкI къигъэнакъым. Илъэс 20-кIэ ар щытащ экономикэмкIэ кафедрэм и унафэщIу. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зэрыпэрыта зэман кIыхьым къриубыдэу абы и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 150-м щIигъу, монографие щхьэхуэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр зэрырагъэджэн тхылъхэри хэту. Къумахуэм и дэтхэнэ къэхутэныгъэри мыхьэнэшхуэ зиIэт мэкъумэш IэнатIэр ефIэкIуэнымкIэ. Ахэр ди щIыпIэм шэщIауэ къызэрыщагъэсэбэпам экономикэ и лъэныкъуэкIэ фейдэшхуэ къахуихьащ мэкъумэш IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. ЩIэныгъэлIым и унафэм щIэту къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIащ цIыху 20-м щIигъум. Абы иригъэджахэм къахэкIащ щIэныгъэхэм я кандидатхэр, докторхэр, къэрал IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр. ЩIэныгъэлIыр апхуэдэу жыджэру хэтащ республикэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэми. Ар и пашэт зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я зэгухьэныгъэу мэкъумэш еджапIэ нэхъыщхьэм щыIэм, хэтт абы и методикэ советым, экономикэмкIэ кандидат диссертацэхэр щыпхагъэкI и IэнатIэм. ЩIыналъэм и экономикэ зыужьыныгъэм зи гъащIэр хуэзыгъэпса хэкулIт Къумахуэ Башир Iэбубэчыр и къуэр. Сыт хуэдэ лъэхъэни абы и щIыбагъ къыдэтащ и унагъуэ дахэр: и щхьэгъусэ Хьэнифэрэ и бынхэмрэ. Я нэхъыжьыфIым, адэ щыпкъэм, адэшхуэ IэфIым и щапхъэм тету, ар я гъуэгугъэлъагъуэу мэпсэу Башир къыщIэхъуэ щIэблэр. Республикэри щалъхуа къуажэри зэрыгушхуэщ Къумахуэ зэшхэм я гъащIэ купщIафIэр. Абыхэм зэрахьа лIыгъэр зэманым фагъуэ дэхъунукъым. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25733.txt" }
Дадэ Iумахуэ «Къызыхуэтыншэу зауэм зыхуэзыгъэхьэзыра Германием и гъунэгъу къэралхэр, зыкIи къытемыхьэлъэу, къаруушхуи тримыгъэкIуадэу, зырызыххэу, зыр адрейм кIэлъыкIуэу, къизэуащ. Гугъуэтыж Бэхьил А къэралхэм псоми щхьэж зэрызахъумэжын Iэщэ яIащ, ауэ дэтхэнэми хуэфэщэн къару иришалIэурэ, къыпэщIэувапIэ яримыту, зэрыжаIэу, зыIэзыбжьэу къиубыдащ. Ахэр жыIэщIэ зыщIа (а къазэуахэм я къарур езым ейм хилъхьэжат), а псом щхьэуназэ ящIа нэмыцэхэм къахуэнэжыр Совет къэралым къытеуэнырт. Европэ щIыналъэм и IыхьэфI къэзыубыда фашист нэпсеягъэр къатемыкIуэу абдеж щыувыIауэ щытамэ, иужькIэ къэхъуар щымыIэнкIэ хъунт. Арати, я ехъулIэныгъэм пищэн хуей щыхъум, ар кIуэдыпIэ яхуэхъуащ Гитлеррэ абы и властымрэ» … Мы пычыгъуэр дэ къитхащ Хэку зауэшхуэм хэта, Урыху къуажэ щыпсэу Гугъуэтыж Бэхьил и и гупсысэхэр, гукъэкIыжхэр зэрыт тетрадым … Балигъ ныкъуэхъуу Бэхьил и пщэ къралъхьат жэуапышхуэ зыпылъ къалэн: школ нэужьым ар егъэджакIуэу къагъэнэжат щалъхуа Урыху къуажэм. Игури и псэри етауэ, и акъыли, и щIэныгъи щIэблэр гъэсэным, щIэныгъэ егъэгъуэтыным триухуауэ лажьэу, военкоматыр къеджэри, хъыбар кърагъэщIащ армэм зэрыдэкIынум зыхуигъэхьэзырыну. А зэманым, I939 гъэм, къэрал унафэкIэ щIэныгъэ зиIэ куэд дзэ къулыкъум дашырт офицеру ирагъэджэн мурадкIэ. А щIыкIэм тету егъэджакIуэ щIалэр гъуэгуанэ техьащ. МафIэгукIэ ирашажьэри, Белоруссием и щIыналъэм нашэсащ. Бобруйск къалэм зы мазэ хуэдэ щыIауэ, аргуэру адэкIэ кIуэцIрашащ, Польшэм и гъунапкъэмкIэ хуэкIуэу. Губгъуэшхуэ гуэрым нэсащ. Абдежым трактористу, шоферу яхэт псори щхьэхуэу къыхашащ, танкисту ирагъэджэн хьисэпкIэ. ЦIыху бжыгъэр щахуримыгъэкъум, щIэныгъэ зиIэхэри хагъэхьащ. Абыхэм яхэхуащ Бэхьили. Урыху щыщ адыгэ щIалэр 40 гъэхэм ди армэм иIа танк псынщIэм и щэхухэм илъэс ныкъуэкIэ хуеджащ. Ауэ ар ягу ирихьыртэкъым зыми: зэрыротэу ерагъыу яхузэщIэгъанэу арат. — 1940 гъэм, бжьыхьэпэ мазэу, аргуэру дызэщIакъуэри Польшэм и гъунапкъэ дыдэм, Белосток, дашащ, — игу къегъэкIыж Гугъуэтыжым. — Абы щымыIэ техникэ лIэужьыгъуэр укIуэдыжт. А танк псынщIэ дызыхурагъэджам хуэдэ щыдмылъагъум, ди гур псэхужащ. Зы махуэ гуэрым къулыкъу щытщIэ щIыпIэм танкыщIэ гуэр наху, Т-34 жери. Апхуэдэ техникэ лъэрызехьэ, сыт и лъэныкъуэкIи зауэм хуэщIауэ, а зэманым зы къэралми иIакъым. И чэщанэр Iувт топышэ пхымыкIыу. Мотору тIу, цилиндру 6 иIэт. АпхуэдизкIэ танк зэпэщти, уи псэм хэлъмэ хэпх хъунтэкъым. Абы и щэхухэр дагъэщIащ 1941 гъэм и гъэмахуэ пщIондэ. Белосток дыпэмыжыжьэу лагерь гуэрым дыщыIэу зауэр къэхъеящ. Абы щыгъуэ Т-34-м хуэдэ зыбжанэ фIэкIа диIэтэкъым бригадэ псом. Нэмыцэр къыщыттеуэм, псори пIащIэгъуэкIэ дыкъикIуэтащ — бийр сыт и лъэныкъуэкIи узэдат, дэ дазэрыпэувын Iэщэ диIэтэкъым. Белоруссием и щIыналъэм щыщIидзэри, Бэхьил зыхэт дзэр нэмыцэхэм куэдрэ пэщIэуващ. Ауэ махуэ зытIу нэхъыбэ дэмыкIыу, къимыкIуэту мыхъуурэ, Сталинград щIыналъэм къэсащ. Зэкъым, тIэукъым адыгэ щIалэр зэрыс танкыр бийм икъутэурэ ихъуэжын хуей зэрыхъуар. Ауэрэ Бэхьил сымэ Индыл псы Iуфэм пэгъунэгъу Красноармейск къалэм къэсащ. Абы мазэ зыбжанэкIэ щыIащ, зауэм щакъута танкхэр зэзыгъэпэщыжхэм яхэту. ИтIанэ Горькэ къалэм яшэри, и нэ къызыхуикI Т-34-м ирагъэтIысхьащ. А зэманым Паулюс и дзэр къаухъуреихьу гъэр къызэращIар къыжраIащ. Абы гукъыдэжышхуэ къаритат Бэхьил сымэ. ИкIи ди зауэлIхэр хуэпIащIэрт ебгъэрыкIуэн щIэзыдза ди дзэм нэхъ псынщIэу гъусэ яхуэхъуну. Абыхэм хагъэхьэну арат Горькэ къалэм яшэу ди щIалэхэр танк щIэрыпс щIрагъэтIысхьари. А щIыкIэм тету, адыгэ танкистыр зыхэт 17-нэ бригадэр бийр езыхужьэжахэм яхэтащ. 1943 гъэм и гъатхэкухэм Украинэм нэсащ. А щIыналъэм бийм хуабжьу зыщигъэбыдат. И мурадыр къарууэ иIэр зэщIигъэуIуэу ди дзэр къригъэкIуэтыжынырт. Гугъуэтыжыр зыхэт ди дзэр Харьков щIыналъэм хиубыдэ Изюм къалэм къыщыувыIащ. Абдежым зэхэуэ гуащIэ щекIуэкIащ. Махуэ 11-кIэ зэпэщIэтащ зэрытемыгъакIуэу. Ди танкхэр зэрыкIуэ гъуэгум лагъым щIалъхьати, ебгъэрыкIуэныгъэр абы къилъахъэрт. Лагъымхэр къыщIаха нэужь, Бэхьил сымэ бийм пэгъунэгъу зыхуащIт, топыр траунащIэрти, напIэзыпIэм къикIуэтыжырт. Арыншамэ, я танкыр нэщанэуапIэ ящIы- нут. 1943 гъэм и гъэмахуэ пщIондэ Харьков щIыналъэм итауэ, ди дзэхэр зэуэ нэмыцэхэм ебгъэрыкIуащ. Гъуэгу здытетым, Бэхьил топгъауэу зэрыс танкыр лагъымым теувэри, дунейр къытеункIыфIащ… Адыгэ щIалэм и нэгур лагъым къутахуэхэм зэхикъутат. Ар уIэгъэщым яшэри, зэм зым къыщеIэзэм, зэм нэгъуэщI щIыпIэ ягъэIэпхъуэурэ, икIэм-икIэжым, Нартсанэ къалэм къыщыхутащ. ГуфIэри я деж письмо къитхащ: «Кисловодск сымаджэщым сыщIэлъщ, къэкIуэфын къыфхэтмэ, фыкъыслъыгъуазэ», — жиIэри. УIэгъэу фронтым къикIыжа и шынэхъыщIэ МутIалиб я пашэу, и Iыхьлыхэр мыгувэу лъагъунлъагъу къыхуэкIуащ. И фэбжьхэм мащIэу къызэрыIэщIэкIыу, илъэситхукIэ зыпэIэщIэу щыта и жылэжьым къигъэзэжащ. Зауэм и пэкIэ щылэжьа школым егъэджакIуэу увыжри, а зы IэнатIэр илъэс 41-кIэ ирихьэкIащ. А зэманым къриубыдэу Гугъуэтыжым сыт хуэдиз ныбжьыщIэ цIыху хуэдэ цIыхуу игъэсар, щIэныгъэ зритар, гъащIэ гъуэгуанэшхуэм хуигъэхьэзырар? Абыхэм я бжыгъэр лъытэгъуейщ. И ныбжьыр илъэс 95-м нызэрыхьэсами, дадэ Iумахуэм ноби и акъылыр жанщ, лъэрытетщ, газет, тхылъ йоджэ. И щхьэгъусэ Лолэрэ абырэ бынитху — къуищрэ пхъуитIрэ — зэдапIащ. Лолэ дунейм зэрехыжрэ Iэджэ щIами, ар псэуху и нысэхэмрэ и бынхэмрэ зыхуей хуагъэныкъуакъым. — Си нысэ нэхъыжьыр Розэщ, Щхьэлыкъуэ щыщщ, Къардэнхэ япхъущ. И хьэдрыхэ дахэ Тхьэм ищI, сыхуэарэзыщ, псэухункIэ цIыхугъэшхуэ къыскIэлъызэрихьащ. КъыкIэлъыкIуэ нысэр Шурэщ, Плановскэм щыщщ. ЖыпIэнуракъэ, хузэфIэкI къигъанэркъым сызыхуей сыхуэзэн папщIэ. Тхьэмахуэ е тхьэмахуитI нэхъ димыгъэкIыурэ къокIуэж. Къызбгъэдэсыр нысэ нэхъыщIэрщ, Сонящ. Езыри и бынри къыскIэрыщIауэ апхуэдэщ. Абыхэм я гулъытэмрэ я щIэблэм къы-зат гуфIэгъуэмрэщ гурыфIыгъуэу сиIэр, си дунейр нэху зыщIыр. Мыз Ахьмэд. Урыху къуажэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25736.txt" }
Бысымхэр къыхахын щIадзэ «Зэныбжьэгъугъэ» зыфIаща Iуэхур илъэсиплI хъуауэ ди щIыналъэм ехъулIэныгъэкIэ щагъэзащIэ. Ар къызэрагъэпэщ «Хэкупсэ» республикэ жылагъуэ организацэм, КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я министерствэхэм, «Граждан обществэр зыгъэпIейтейхэм я институт» щIыналъэ жылагъуэ организацэм я жэрдэмкIэ. Нэгъабэ лъандэрэ ар щIыналъэхэр зэзыпх Iуэху хъуащ. Мы Iуэху щхьэпэр хуэгъэпсащ пщIэ, нэмыс зэхуащIу, зэгъунэгъуфIу илъэсищэ бжыгъэ хъуауэ къызэдэгъуэгурыкIуэ кавказ лъэпкъхэм я зэныбжьэгъуныгъэр дяпэкIи гъэбыдэным, абы зегъэубгъуным. Iуэхур къызэрырахьэжьэрэ ныбжьыщIэ 330-м нэблагъэ къуэш зэхуэхъуащ. Ар къалъытэри, «Зэныбжьэгъухэм я клуб» къызэIуахыну мурад ящIащ. Джаппуев Мусэрэ Къумахуэ Мухьэдинрэ. КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдинрэ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм щIалэгъуалэ программэхэмрэ проектхэмрэ я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Джаппуев Мусэрэ зэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэ псоми щыщ ныбжьыщIэхэр мы гъэм кърагъэблэгъэнущ. — «Зэныбжьэгъухэм я клуб»-м программэм хэтахэр хагъэхьэнущи, иджырей фестивалым къэкIуэнухэм хуаIуэтэн я гъунэжщ. Абы и япэ Iыхьэр накъыгъэ мазэм Налшык щызэхэдублэнущ. МахуиплIкIэ екIуэкIыну семинар-тренингым лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ ныбжьыщIэхэр щызэрыцIыхунущ, я щэнхабзэм, яIыгъ диным щытепсэлъыхьынущ, проектым хэтыну унагъуэ 65-м зэIущIэхэр ядедгъэкIуэкIынущ. Езыгъэблэгъэну унагъуэхэм я деж ныбжьыщIэхэр тхьэмахуэкIэ щыпсэунущ. Абыхэм щэнхабзэ-нэгузегъэужь программэ гукъинэж хуагъэхьэзырынущ, ди щIыпIэ дахэхэм, телъыджэхэм я лъахэм яшэнущ, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IуэхущIапIэхэм ирагъэплъынущ, ди цIыхухэм я хабзэмрэ псэукIэмрэ хагъэгъуэзэнущ, — къыхигъэщащ Къумахуэ Мухьэ- дин. Джаппуев Мусэ къигъэлъэгъуащ мы Iуэхум езы ныбжьыщIэхэм я мызакъуэу, унагъуэхэмрэ лъэпкъхэмрэ зэрызэригъэубыдыр. — Илъэс зыбжанэ и пэкIэ къыхэтлъхьа Iуэхум фIы къыпокIуэ. Ныбжьэгъу зэрыщIахэр нэхъри нэхъ гъунэгъу зэхуохъу, я зэпыщIэныгъэхэм зеубгъу, зэхудэчыхынымрэ зэрылъытэнымрэ я мыхьэнэм хегъахъуэ. Налшык зэныбжьэгъугъэм и къалэкIэ деджэмэ, егъэлеиныгъэ хэлъу къыщIэкIынукъым, — жиIащ абы. Къедгъэблэгъэну ныбжьыщIэхэр щыпсэуну унагъуэхэр къызэрыхах щIыкIэм теухуауэ журналистхэр зыщIэупщIам и жэуапу Джаппуев Мусэ къигъэлъэгъуащ а Iуэхур ди деж хъарзынэу зэрыщы-зэтеублар, Iуэхум хэты- ну куэд зэрыщIэхъуэп- сыр, абы и лъэныкъуэкIэ гугъуехь гуэри зэрыщымыIэр. ЩIыпIэ администрацэхэр зыдагъэIэпыкъу, я чэнджэщхэр къалъытэ. Iуэхум хуэзэну мылъкур къэралым къарет. Ар «Граждан обществэр зыгъэпIейтейхэм я институт» щIыналъэ жылагъуэ организацэм и нэIэ тету къыхуаутIыпщ. КъэкIуэну ныбжьыщIэхэри езы унагъуэхэм я арэзыныгъэкIэ къыхах. Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми зэгурыIуэныгъэ хуаIэщи, Iуэхур зи пщэрылъхэм ар зэхуагъэхъу. ГъуэгупщIэр, тренинг уасэр хуат, щыхагъэгъуазэ япэ махуиплIым псэупIэрэ ерыскъыкIэ къызэрагъэпэщ, тыгъэхэр хуащI, фэеплъ пыIэ цIыкIухэр, футболкэхэр, бгъэхэIухэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа тхылъхэр ират. — Мы Iуэхур хуабжьу узыIэпызышэщ. ЗэрыжытIауэ, Налшык зэныбжьэгъу ныбжьыщIэхэм я къалащхьэкIэ деджэну хуэфащэщ. Сыту жыпIэмэ, ди адэжьхэм хьэщIагъэм теухуа хабзэфI куэд къытхуагъэнащи, ахэр къэдгъэщIэрэщIэну, тхъумэну, уеблэмэ зедгъэужьыну ди къалэнщ, — къыщыхагъэщхьэхукIащ зэIущIэм. «Зэныбжьэгъугъэ» Iуэхум хагъэхьэну унагъуэхэр къыхахын щIадзащ. ЗэIущIэм хэтахэм къагъэлъэгъуащ мыр кавказпсо Iуэху хъуну, Абхъаз, Осетие Ипщэ республикэхэми Ипщэ федеральнэ округым щыщ щIыналъэхэми дяпэкIэ къыддаIыгъыну зэрыщыгугъыр. Хьэжыкъарэ Алик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25741.txt" }