text
stringlengths
11
353k
meta
dict
Бзэм и IэфIыр ноби си псэм хэлъщ КъБКъУ-м и филологие къудамэм проект щхьэпэ иригъэжьащ «Си IэщIагъэм ухызошэ» фIэщыгъэр иIэу. Абы ипкъ иткIэ факультетым иригъэкIуэкIыну лэжьыгъэфIхэм ящыщщ а къудамэр къэзыухауэ, я IэщIагъэр я псэм дыхьэу ирилажьэхэм я гупсысэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэр щIэджыкIакIуэхэм я деж нэгъэсыныр. Зи лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу, зи IэщIагъэм щIэблэр дезыгъэхьэхыф егъэджакIуэ Iэзэ Шыгъушэ Хьэбас и гупсысэхэр нобэ фи пащхьэ идолъхьэ. ЦIыхур зыгъэдахэр и хабзэрщ, и хьэлырщ, хэлъ нэмысырщ. И пщIэр зыIэтыр — Iурылъ бзэм и IэфIыр зыхищIэу, гъащIэм щигъуэта IэщIагъэм къыдэкIуэу, дунейм лъэужь дахэ къызэрытринэным хущIэкъуу къэкIуэну щIэблэм хуэлажьэмэщ. УифI зэкIар цIыху закъуэми, — ярэби, фIыщIэ жыг хухэссащэрэт, — къыпхужиIэу и гъащIэр ихьынущ. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ сыхъуну си хъуэпсапIэу балигъ сыхъуху къекIуэкIащ. Гугъэ дахэу щыIэр уэзыгъэщIри, насыпым ухуэзышэ лъагъуэр хозыгъэшри школ егъэджакIуэхэрщ. Мурад сщIам сылъэIэсын щхьэкIэ гушхуэныгъэ къысхалъхьэри, чэнджэщ къулеи къызатащ сезыгъэджахэм. Ахэр гъуэгугъэлъагъуэ схуэхъури, КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм сыщIэтIысхьащ. УзыхущIэкъур къохъулIэ жыхуаIэрати, насыпыфIэ сыхъуауэ зыслъытэжырт. Япэ курсым къыщыщIэдзауэ щIэныгъэлIхэм я лекцэ купщIафIэхэмкIэ къыдатырт егъэджакIуэ нэс къызэрытхэкIыным хуэгъэпса Iэмал псори. Бзэ щIэныгъэм и методикэм, литературэм и зыужьыкIэм, тхыдэм теухуауэ куэдым щыгъуазэ дащIырти, си пащхьэм нэгъуэщI щIэныгъэ дунейм зыкъыщызэIуихауэ къысщыхъурт. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэр згъуэтри си мурадым сылъэIэсащ. Лэжьэн щIэздза иужь, университетым щызгъуэта Iэзагъ псори къэзгъэсэбэпурэ щIэблэм бзэмрэ литературэмрэ дегъэхьэхыным сегугъуу сыхуежьащ. Куейм, республикэм семинархэр, Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэмкIэ урок щхьэпэхэр езгъэкIуэкIырт. Си мурадыр зыт: щIэблэр си IэщIагъэм дезгъэхьэхынырт, адыгэбзэм и IэфIыр си лъэпкъым зыхезгъэщIэнырт. Ар къызэрызэхъулIам и щыхьэтщ сэ езгъэджа ныбжьыщIэ куэд си лъэужьым ирикIуэу лэжьэгъу зэрысхуэхъужар. Уи анэм къыбдилъхуа бзэр фIыуэ лъагъун хуейщ, ар къыпфIэмыIуэхумэ, пфIэкIуэдмэ сытым урищIыс? Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыр и бзэрщ. Абы и зыузэщIыныгъэр къыфIэIуэхуу щытын хуейщ ар зыIурылъ цIыхум. Нобэ адыгэбзэм тетыгъуэ дахэ иIэным толажьэ ди щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, лъэпкъыбзэкIэ къыдэкI газет, журналхэм я лэжьакIуэхэр, псом хуэмыдэу ди университетым и адыгэбзэ къудамэм и егъэджакIуэхэр. Куэдым сыт хуэдэ тхьэусыхафэ кърамыгъэкIуэкIми, сэ схужыIэнукъым ди бзэр кIуэдыжу, абы зыужьыныгъэ имыгъуэту. Псори зэлъытар дэ егъэджакIуэхэрщ — бзэр узэщIа хъунуми, абы къыдэкIуэ Iуэхугъуэ псори (хабзэр, нэмысыр, адыгагъэр, щIэныгъэр) щIэблэм ябгъэдэтлъхьэнуми. Ар гъэзэщIа хъун папщIэ бзэр гъэлэжьэн хуейщ. Лъэпкъым и фащэр и бзэр ару щытмэ, абы и бзыпхъэр зыщIыпIи кIуакъым. Зи щIэныгъэкIэ ар зыгъэтэрэзын, къытщIэхъуэ щIэблэм я гъащIэм фащэ къекIуу и бзэр щызытIэгъэфын, и акъылым хэзылъхьэфын егъэджакIуэхэр щыIэн хуейщ. ЩыIэщ апхуэдэ егъэджакIуэхэри — адыгэ щIэблэм щIэныгъэ нэс егъэгъуэтыным мычэму щIэгупсыс, хуэлажьэ, анэ быдзышэу яIурылъ адыгэбзэм и IэфIыр зыхрагъащIэу щIэныгъэм и «дыщэ пхъуантэр» къэзытIэщIхэр. Абы папщIэ бзэр фIыуэ зылъагъуу курыт еджапIэр къэзыух щIэблэр къыхузоджэ, щIэныгъэ лъагэ зрагъэгъуэту бзэм телэжьэну, я лъэпкъыр къафIэIуэхуу псэуну. Ар пхузэфIэкIмэ, уи щхьэм пщIэ хуэпщIыжу аращ. ШЫГЪУШЭ Хьэбас, егъэджакIуэ-методист, СССР-ми РСФСР-ми цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ я отличник.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24939.txt" }
Апхуэдэхэм щIэблэр ирогушхуэ Шэджэм къалэм цIыху куэд къыщыбгъуэтынукъым Iэрыпщэ Исмэхьил Хьэжкъасым и къуэм и IуэхущIафэ дахэхэм, и гъащIэ купщIафIэм щымыгъуазэу. Абы и цIэр ирапх цIыхугъэ лъагэм, зэхэщIыкI куум, пэжыгъэ нэсым, псэ къабзагъэм. Жылэм щекIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным зи гуащIэ куэд езыхьэлIа Iэрыпщэр, дапщэщи хуэдэу, ноби щIалэгъуалэм я щапхъэщ. Аращ абы пщIэ хуащIу «Шэджэм къалэм щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр щIыфIащар. Зи сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм, абы и ужь ита лъэхъэнэ хьэлъэм хиубыда щIэблэм ящыщащ Исмэхьил. Апхуэдэу хъуами, гугъуехьхэмрэ щыщIэныгъэмрэ къыщIэтэджа щIалэм гъащIэм хуиIэ гукъыдэжыр фIэмыкIуэду, еджэным хуэжыджэру, щIэныгъэм хуеIэу балигъыпIэ иуващ. Псом хуэмыдэу ар дахьэхырт мэкъумэш лэжьыгъэхэм. ЩIалэр биологием зэрыдихьэхыр наIуэ зыщыхъуа егъэджакIуэхэм абы чэнджэщ иратащ а унэтIыныгъэм адэкIи хуеджэну. Я жылэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, апхуэдэуи ищIащ Iэрыпщэм. 1951 гъэм ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей къэрал пединститутым и химико-биологие факультетым. Студент илъэсхэр купщIафIэу, гъэщIэгъуэну ирихьэкIащ Исмэхьил. Ар хуабжьу дахьэхырт гу зыхуищIа щIэныгъэм пыщIа къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм. ИлъэситI дэкIа нэужь, зэреджэм хуэдэурэ, лэжьэн щIидзащ. IэщIагъэлIхэр нэсу зыхуримыкъу я къуажэ школым абы иджы щригъаджэрт пэщIэдзэ классхэр. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм щIэх дыдэу хуэIэижь хъуащ щIалэщIэр. 1955 гъэм ехъулIэныгъэ иIэу еджапIэ нэхъыщхьэр къиуха нэужьи, а IэнатIэрщ и къарурэ зэфIэкIрэ зрихьэлIар. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэриIэмкIэ диплом зратыжа Iэрыпщэм ныбжьыщIэхэр биологием хуригъаджэу хуежьащ. Iуэху зехьэкIэ екIу зиIэ IэщIагъэлI щIалэр занщIэу фIыуэ къалъэгъуащ къыдэлажьэхэми, иригъаджэхэми, сабийхэм я адэ- анэхэми. Зи IэщIагъэр псэ- кIэ къыхэзыха, сабийхэм яхуэгумащIэ егъэджакIуэм ехъулIэныгъэхэр зыIэригъэхьэу и IэнатIэм пэрытт. Зэрыригъаджэм къыдэкIуэу, Исмэхьил школакIуэхэм ядригъэкIуэкIырт къэхутэныгъэ лэжьыгъэ хьэлэмэтхэри. Ахэр абы къыщызэригъэпэщырт илъэси 10-м щIигъукIэ езыр зи унафэщIу щыта, опыт зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкIыу школхэм а зэманым яIа щIы Iыхьэм. Ахэр апхуэдизу хьэлэмэтт, къызэрымыкIуэти, уеблэмэ къэралпсо радиомкIэ екIуэкIыу щыта «Пионер пшэплъхэр» («Пионерская зорька») программэм и нэтынхэм ящыщ зы траухуауэ щытащ. Iэрыпщэм и гъэсэнхэр я къэхутэныгъэхэмкIэ пыщIат КъБКъУ-м и химико-биологие къудамэм. Зэлэжьыну унэтIыныгъэхэр егъэджакIуэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ яхуиубзыхурт университетым и профессор КIэрэф Майе Къамболэт и пхъум. ЕгъэджакIуэ гумызагъэм иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм щIэныгъэ лъабжьэ куу яIэт. ЗыIэригъэхьэ лъагапIэхэр и гъуэгугъэлъагъуэу, Iэрыпщэр щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и аспирантурэм. ЗэфIиха лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр и тегъэщIапIэу абы игъэхьэзырауэ щытащ и кандидат диссертацэ купщIафIэр, КъБКъУ-м и профессор КIэрэф Къамболэт и щIэныгъэ унафэщIу. Ар ехъулIэныгъэ иIэу 1966 гъэм пхигъэкIащ Исмэхьил икIи мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. Iэрыпщэм бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэм гу лъамытэу къэнакъым. 1984 гъэм ар ягъэуващ Шэджэм Езанэм дэт курыт школ №2-м и унафэщIу, икIи дзыхь къыхуащIа IэнатIэр иригъэфIакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьащ. Абы и жэрдэмкIэ школ программэм СССР-м щыяпэу хагъэхьауэ щытащ «Экологиемрэ диалектикэмрэ» къэхутэныгъэ курсыр. ИужькIэ а предметым зыужьыныгъэ ин щигъуэтащ а еджапIэми нэгъуэщIхэми. КъытщIэхъуэ щIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ илъэс 60 тригъэкIуэдащ Iэрыпщэ Исмэхьил. И псэ хьэлэл лэжьыгъэфIым папщIэ Iэрыпщэм мызэ-мытIэу хуагъэфэщащ къэрал дамыгъэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Ар РСФСР-м егъэджэныгъэмкIэ и отличникщ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, егъэджэныгъэм и ветеранщ. И ныбжьыр нэсу пенсэ тIысыжа нэужьи, нэхъыжьыфIыр егъэджэныгъэмкIэ куей къудамэм и методисту куэдрэ лэжьащ. Абы и жэрдэмкIэ Шэджэм куейм и школхэм мызэ-мытIэу къыщызэрагъэпэщащ щэнхабзэ-гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэ зэхыхьэхэр, зэхуэсхэр, IуэрыIуатэ-этнографие фестивалхэри яхэту. Ахэр яхуэунэтIат адыгэ махуэшхуэхэр гъэлъэпIэным, ахэр щIэблэм егъэщIэным, хабзэмрэ нэмысымрэ зи гъуазэ цIыху лъэпкъым хуэгъэсэным. Iэрыпщэ лъэпкъым я нэхъыжьыфI Iумахуэр, егъэджакIуэ щыпкъэр, гъэсакIуэ Iэзэр щIэблэм я щапхъэ дахэу, узыншэу иджыри куэдрэ дунейм тетыну ди гуапэщ. КЪАРДЭН Маритэ. Шэджэм куей.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24943.txt" }
Адыгэм папщIэ Ди дунейм икъукIэ зихъуэжащ, зэхъуэкIыныгъэ куухэр гъащIэм къыхыхьащ. Абы къыхэкIащ цIыхухэм я зэхэщIыкIыр, гупсысэкIэр нэгъуэщI зэрыхъуар. А нэгъуэщIым дызыщыгуфIыкIыпхъэ куэд хэтлъагъуэми, дигъэнэщхъей къудей мыхъуу, дызыгъэгузави пыщIащ. Ар псом япэу адыгэпсэр адыгэбзэкIэ мыпсэлъэж зэрыхъурщ. Багъ Марьям Япэм дригуфIэрт адыгэбзэкIэ тхауэ дунейм къытехьэ тхыгъэхэм цIыкIухэр куэду зэреджэм, зэгъусэу дытепсэлъыхьыжхэрт, я гупсысэхэмкIэ, къазэрыщыхъуамкIэ дызэдэгуашэрт. ПсэкIэ зыхащIэу, лъагъуныгъэр зищIысыр ящIэу, цIыхугъэр, пэжыгъэр, лIыгъэр тэмэму къагурыIуэу, я гупсысэхэр фIым хуэунэтIауэ къэхъурт щIэблэр. Иджы щытыкIэм зихъуэжащ. Адыгагъэмрэ цIыхугъэмрэ нобэрей сабийм зыхедгъэщIэныр къалэнышхуэу ди пщэм къыдохуэ. Иджырей еджакIуэхэр куэд дыдэкIэ къащхьэщокI япэ итахэм, зыхэпсэукIыр нэгъуэщI гъащIэщ. Телефон зэгъэпэщахэр зиIэ сабийхэм я зэхэщIыкIыр нэхъ куущ, я акъылыр жанщ, зэчий ябгъэдэлъщ. Абыхэм я гупсысэм, я гъащIэ еплъыкIэм зедгъэужьын, фIым хуэдунэтIын папщIэ, я губзыгъагъым хуэфэщэн, къалъыхъуэ щIэщыгъуэм хуэкIуэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ къэдгъэсэбэпыфын хуейщ. Курыт еджапIэм щадж дэтхэнэ предметми абыкIэ и Iуэху нэхъ зэпэщу жыпIэ хъунущ адыгэбзэм нэхърэ. Урысыбзэр езыгъэджхэм зэрагъапщэу зыхуейр къыхахыжыну тхылъу яIэр бжыгъэншэщ. Тхыдэр къащти, блыщIым нэс яIэщ. Хьэмэрэ тхыдэм махуэ къэс зихъуэжу ара? Апхуэдэщ адрей предметхэри. Адыгэбзэм и гугъу щытщIкIэ, псом япэ къыжыIэпхъэщ зэредгъаджэ программэр нобэрей дунейм тещIыхьауэ гъэщIэгъуэну зэхэлъын зэрыхуейр. Дызэрылажьэр мащIэу зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр зрата программэщ. Тхылъхэри щIэрыпсу къыдагъэкI, авторхэри ар дыдэхэрщ, иджыри къыздэсым дызэре-джэхэрщ, ауэ, гъэщIэгъуэнракъэ, рецензентхэр къыдэкIыгъуэ къэс яхъуэж. Зытхахэр щымыIэжми, хэлэжьыхьыжхэр диIэщ. Урыс Хьэталий, Iэмрокъуэ Ибрэхьим, Тамбий БетIал, Джаурджий Хьэтыкъэ, Ержыб Аслъэн, ХьэкIуащэ Андрей, Дзасэжь Хьэсанш, Багъ Николай, Тау Жанти, Зэхъуэхъу Лиуан, КъуэщIысокъуэ Нурхьэлий, Гугъуэт Лол, КIэрэф Мухьэмэд сымэ хэкупсэхэу, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ заужьын папщIэ лъэкI къамыгъанэу лэжьа щIэныгъэлIхэщ, ди нэхъыжьыфIхэщ. Дауи, хъунущ иджыпсту абыхэм ялэжьам ухэплъэжу дагъуэ яхуэпщIын къыхэбгъуатэ. Псалъэм папщIэ, урыс термин куэд бзэм къыхагъэхьащи, къуаншагъэу къэплъытэ мэхъу. Ауэ егупсысыпхъэщ а къуаншагъэр зэзыгъэпэщыжын щIэныгъэлI абыхэм яужькIэ щIыдимыIам. Сыт хуэдэ щIэныгъэ Iуэхуми зиужьу, ефIакIуэу йокIуэкI. Ди щIэныгъэлI пажэхэм къагъэсэбэпа урыс терминхэр адыгэбзэм къибгъэтIасэ хъуну щытмэ, иджыри къэс щхьэ зыгуэр утыку къимыхьарэ, и Iуэху еплъыкIэ пхимыгъэкIарэ? НобэкIэ мылъкуу диIэр зи цIэ къитIуахэм я IэдакъэщIэкIхэр аракъэ? ЩIыбагъ уимыIэу, гупи уиIэнукъым. Абыхэм зы зэман яIащ, ауэ дунейр чэзущ. «Зэманым декIур лIыфIщ», — жиIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы. Нобэрей ди адыгэ щIэныгъэлIхэр нобэрей зэманым декIупхъэщ, Урыс Хьэталий сымэ я зэманым зэрыдекIуам хуэдэу. Ди бзэр кIуэдыжынкIэ хъуну шынагъуэ къытщхьэщыхьащ. «Насып иIэжкъым лъэпкъым, и бзэр кIуэдмэ», — жиIащ Къагъырмэс Борис. ДызэдэвгъэIэпыкъу, адыгэбзэм елэжьхэм гулъытэрэ пщIэрэ яхуэдвгъэщI, хэкIыпIэ тэмэмхэм зэдэууэ девгъэгупсыс. Узэгъусэмэ, бгыри пкъутэфынущ. Сыт хуэдэ фIыгъуэми и къежьапIэр еджапIэращ. Абы къикIыркъэ ди бзэм и пкъыр щIэмылIэным еджапIэм щегугъун хуейуэ? Апхуэдэ лэжьыгъэ ежьащ. Дунейм къытехьащ я зэхэлъыкIэкIи, ящIэлъ гупсысэкIи хуэдэ димыIауэ тхылъыщIэхэр. СтруктурнэкIэ зэджэ щIэныпхъэр адыгэбзэм кърагъэтIэсри ХьэцIыкIу Раерэ Хъурей Люсенэрэ ятхащ «Адыгэ псалъэ» зыфIаща пособиехэр. Ди бзэм и къулеягъыр сэтей къэзыщI, псалъэм и ухуэкIэмрэ и лэжьэкIэмрэ хэлъ хьэлэмэтагъым сабийм гу лъезыгъатэ «Адыгэ псалъэ» пособиехэр хуэгъэпсащ етIуанэ классым къыщыщIэдзауэ ебланэм нэс щеджэ цIыкIухэм. «Адыгэ псалъэ» пособиехэм я лъэтеувэр щекIуэкIащ БизнесымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым. Мы еджапIэм хэтщ Бзэхэм зэрыхурагъаджэ щIэныпхъэ щаубзыху институт. Ар зи фIыщIэр институтым и унафэщI, академик, профессор Хъурей Феликсщ. Абы хузэфIэкIыр ищIащ ШэджыхьэщIэ Марие и къэхутэныгъэ телъыджэр хъумэнымкIэ, ар ди щIэблэр егъэджэным тегъэлэжьэнымкIэ. ЗэIущIэм кърихьэлIат щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, студентхэр. Куэду узыщыгуфIыкIыпхъэт, дэрэжэгъуэ ин къозытт мы пшыхьыр. Пособиехэр зытхахэм ятеухуауэ. ХьэцIыкIу Рае Бзэхэм зэрыхурагъаджэ щIэныпхъэ щаубзыху институтым и унафэщIщ, Хъурей Люсенэ а институтым адыгэбзэм щелэжьу хэт лабораторэм и лэжьакIуэ пашэщ. ТIури егъэджакIуэщ. Бжьэ цIыкIухэм хуэдэу мэлажьэ, къалъыхъуэри фIыщIэкъым — хэкIыпIэщ. Къагъуэтаи хуэдэщ, сабийхэр дэзыхьэхын пособие гъуэзэджэхэр ятхащ. Сэ къызолъытэ абыхэм лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIауэ. Сыхуейт лъэтеувэм щекIуэкIа псалъэмакъым къыхэсха, гу зылъызигъэта гупсысэ гуэрхэмкIэ щIэджыкIакIуэхэм садэгуэшэну, пособием иджыри емыджауэ дяпэкIэ щыгъуазэ зызыщIынухэми си псалъэкIэ сапежьэну. Мы цIыхубз цIыкIухэм я IэдакъэщIэкIхэр егъэджакIуэхэм куэду дигу ирихьащ, адыгэбзэр зэредгъэджын IэмалыщIэ ди пащхьэ къызэрыралъхьам дыщыгуфIыкIащ. КъызэрыгуэкIыу, дызэсэжауэ щымыт бгъэдыхьэкIэщ, чэнжу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зы лъэныкъуэм хуэунэтIауэ егъэджэныгъэ лэжьыгъэм бгъэдэтыныр IэщIыб зэрытщIын Iэмалщ. Утыку кърахьахэм ящыщу етIуанэ классым щIэс сабийхэм папщIэ Люсенэ итха «Адыгэ псалъэ» тхылъыр купщIафIэщ, псалъэкIэ къулейщ, гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэщ хигъэхьа тхыгъэ цIыкIухэр. Псалъэхэм, псалъэухахэм елэжьын хуейуэ аращ етIуанэ классым программэмкIэ къигъэуври, абы Люсенэ текIакъым. Пособием и зэхэлъыкIэр дэIэпыкъуэгъу мэхъу сабийхэм псалъэм и купщIэр къагурыIуэу, тэмэму къагъэсэбэпу егъэсэнымкIэ. Апхуэдэу, кIуэцIрыкIыу хэтщ «Дауэ къэхъурэ псалъэхэр?», «Псалъалъэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэ», «Бзэм зегъэужьын» рубрикэхэр. Зэрыгъуэзэн щапхъэхэр лэжьыгъэ къэс екIу дыдэу бгъэдыхьэу къыщыхьащ. ЩIэщыгъуэщ, сабийхэри балигъхэри къеджэмэ дэзыхьэхынщ дерсхэр. ЩIэныгъэ, гъэсэныгъэ, Iущагъ къызыхэщ тхыгъэ цIыкIухэр къызэрымыкIуэу гъэщIэгъуэнхэщ, къызыхухаха сабийхэм я ныбжьым хуокIуэ, дихьэхынущ. 5 — 7-нэ классхэм папщIэ ХьэцIыкIу Рае зэхилъхьа пособиехэм икъукIэ лэжьыгъэшхуэ къызэщIаубыдэ. Къапщтэмэ, адыгэбзэмкIэ а классхэм программэм къыщыдит темэ дыдэхэр бгъэдыхьэкIэщIэм и фIыщIэкIэ нэхъ куууэ, нэхъ щIэщыгъуэу яджынущ, еджакIуэхэм я бзэр къулей зыщIын псалъэ нэхъыбэ къозыгъэцIыху есэп куэд щызэхуэхьэсащ. 5-нэ классым фонетикэ, лексикэ, синтаксис, морфологие, орфографие Iыхьэхэм структурнэ щIэныпхъэм тету псалъэщIэ куэдым я къэхъукIэр къыщигъэлъэгъуащ. Адыгэбзэм псалъэ къэхъукIэу диIэхэм (префикс, суффиксхэр пыувэу, лъабжьитI зэхыхьэкIэрэ) я щапхъэхэр къызэрымыкIуэу куэд мэхъу. Мыхьэнэшхуэ зиIэу къызолъытэ псалъэхэр ягъуэт мыхьэнэ елъытауэ гуп-гупурэ гуэшауэ (псалъэ къэхъукIэ лъэпкъыгъуэурэ) пособием къызэрыщыхьар. Ар структурнэ щIэныпхъэм и щытыкIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. ЩыIэцIитI, псалъэпкъ зэхуэмыдэхэр, щыIэцIэрэ плъыфэцIэрэ, щыIэцIэрэ глаголрэ, глаголитI зэхыхьэкIэрэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, лъабжьитI зэхыхьэкIэрэ къэунэху псалъэщIэхэр куэду къыщехь. Псалъэхэм ехьэлIа дэтхэнэ лэжьыгъэри тэмэму къызэгъэпэщащ, сабийр гупсысэу, зэригъапщэу, зэщхьу яхэлъымрэ зэщхьэщыкIыныгъэхэмрэ къихутэу езыгъэсэнщ. Лэжьыгъэу пособием къыщыхьам зэрыгъуэзэн дамыгъэхэр я гъусэщ. Дэтхэнэ «Адыгэ псалъэ» пособиеми хуэдэу, мыбы хэтщ «Псалъалъэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэ» рубрикэр. Мыбы къыщыхьа псалъэхэр къызыхэкIыр езы пособием ит текстхэрщ. Адыгэ таурыхъхэм, Нало Заур, КIуантIэ Iэзид, Журт Биберд, Хьэх Сэфарбий, IутIыж Борис, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, нэгъуэщIхэми я тхыгъэхэм къыхэхауэ пособием ихуа пычыгъуэхэр сабийм ягу ирихьынущ икIи къагурыIуэнущ, ауэ абыхэм къыхэкIынкIэ мэхъу къарыкIыр мыгурыIуэгъуэу псалъэ гуэрхэр. Апхуэдэхэр авторым иригъэуващ «Псалъалъэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэ» рубрикэм. Мыбы нэгъуэщI зы Iуэху щхьэпи пыщIащ. Псалъэхэм я мыхьэнэр адыгэбзэ псалъалъэм зэритым хуэдэу къокIуэ, урысыбзэкIэ щызэдзэкIа щIыпIэхэри хэту. Ар къызыхэкIыр сабийм псалъалъэр къыщызэтрихым, статьяхэм я зэхэлъыкIэм щыгъуазэу щытынырщ. Пособиехэм я пщIэм хэзыгъахъуэщ адыгэбзэ псалъалъэм къыхэкIа статьяхэм епхауэ ягъэзэщIэн хуей лэжьыгъэ куэду зэрыхэтыр. Ар сабийхэм я бзэм зиужьыным телажьэ Iуэхуу къызолъытэ. А статьяхэм я ухуэкIэмкIэ еджакIуэм къыгуроIуэ, тыншу зэхегъэкI мыхьэнэ куэд зиIэ псалъэхэмрэ омонимхэмрэ. «Псалъалъэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэр» еджэм дежкIи езыгъаджэм дежкIи сэбэпынагъышхуэ зыпылъу къызолъытэ. Шэч хэлъкъым апхуэдиз лэжьыгъэ зэхьэлIа темэр сабийм быдэу и гум зэрыриубыдэнум, псалъэм епха дэтхэнэ лэжьыгъэри дихьэхыу зэригъэзэщIэнум. «Фигу ивубыдэ», «Гу зылъытапхъэ» жыхуиIэ рубрикэхэм къыщыхьа материалыр пэжырытхэм толажьэ. «Бзэм зегъэужьын» рубрикэри езыр-езыру, зыми емыпхауэ щыткъым. Зэлэжьа текстхэм къыхэкIа гупсысэхэр щызэрагъэзэхуэжын лэжьыгъэщ. «Къэхутэныгъэ лэжьыгъэ» зыфIащауэ пособиехэм кIуэцIрыкIыу хэтым сабийхэм я пащхьэ кърелъхьэ зыгъэгупсысэн материал. Сабийхэр жэуап тэмэмым ирашалIэ абдежым ирихьэлIэу ягъуэта щIэныгъэмрэ рубрикэм къыщыхьа материалым и зэкIэлъыхьыкIэмрэ. «ЩIэуэ къащIа теоретическэ материалым зэрытепсэлъэхьыжын план» рубрикэри кIуэцIрокI пособиехэм. Абы сабийр иригъэсэнущ хабзэ пыухыкIам тету зыхуейр зэкIэлъихьу, купщIэ иIэу жэуап иту. 5 — 7-нэ классхэм бзэм и Iыхьэу щаджын хуейхэр пособиехэм къызэщIаубыдащ. Iыхьэ нэхъ ин дыдэщ глаголыр. Етхуанэ классым къыщыщIедзэри еханэ классым щыпищэу зэпкърех ар. ИкъукIэ купщIафIэщ глаголым епха лэжьыгъэхэр. Глаголым и наклоненэхэм Рае нэхъ куууэ топсэлъыхь, наклоненэ къэс формэ дапщэ диIэми зыри дэмыхуу дегъэлъагъу. Псалъэ къэхъукIэ лъэпкъыгъуэхэрщ адыгэбзэр джыным авторым лъабжьэ хуищIыр, ауэ хьэлэмэтщ формэ къэхъукIэ лъэпкъыгъуэхэри IуэхугъуиплIым тету къэбгъэлъэгъуэныр адыгэбзэм къитIэсу къызэрыщIэкIар. Псалъэм папщIэ, фIэфIыныгъэ наклоненэ формэм и къэхъукIэ лъэпкъыгъуэхэр мыпхуэдэу къегъэлъагъуэ: итхаЩ — итха+щэрэт = итхащэрэт — «псалъэмакъыр зытеухуа щхьэр тхэнымкIэ жызыIэм и фIэфIыныгъэ хэлъщ» итхАЩ — и+ре+тх+^ = иретх — «псалъэмакъыр зытеухуа щхьэр тхэнымкIэ жызыIэм и фIэфIыныгъэ хэлъщ» къесАТ — къес+кIэт = къескIэт — «уэс къесыным жызыIэм и фIэфIыныгъэ хэлъщ» Мыпхуэдэ лэжьэкIэм фIы дыдэу зэхегъэкI -ре- префиксым фIэфIыныгъэ, лэжьыгъэр къэхъуным хуеин, щIэхъуэпсын мыхьэнэ къыщигъэхъумрэ унафэ, лъэIу, хуит щIыныгъэ мыхьэнэ щыхилъхьэмрэ: итхЫ(н) — и+ре+тх+^ = иретх — «зыгуэр тхынымкIэ лэжьыгъэр игъэзэщIэну зым хуэгъэза унафэ, хуит щIыныгъэ». ФIэфIыныгъэ наклоненэм деж префикс -ре-м фIэфIыныгъэ, арэзыныгъэ мыхьэнэ хилъхьэу, унафэ наклоненэм деж унафэ, хуит щIын мыхьэнэ хилъхьэу зэрыщытым щIэныгъэлIхэр тетхыхьат: 1. «Желательное наклонение имеет несколько форм: с суффиксом — щэрэт (сы-кIуа-щэрэт «хоть бы я пошел»), с суффиксом -кIэт (къызэхъулIэ-кIэт «хоть бы (вдруг бы) повезло мне»), с префиксом р(е) — (и-ре-хъу! «да будет!»), краткая форма, образующаяся путем прибавления личных аффиксов к основе аориста (упсэу! «будь здоров!»). «Грамматика кабардино-черкесского литературного языка». 1970 г. 2. «ФIэфIыныгъэ наклоненэм ит глаголыр къытокI зэраIуатэ наклоненэм и блэкIа зэман формэм -щэрэт (щэрэ), -рэт суффиксхэм ящыщ пыувэкIэрэ. ФIэфIыныгъэ наклоненэм ит глаголыр унафэ наклоненэм и формэм къыщытекIкIэ, суффикс -кIэт поувэ. Унафэ наклоненэм ит глаголым косвеннэ унафэ е арэзыныгъэ къыщиIуатэм деж, ар къохъу префикс -ре- пыувэкIэрэ: фыкърефэ, ирегъэплъ». «Адыгэбзэ». Джаурджий Хьэтыкъэ. Бзэ щIэныгъэм темыкIыу, емыбакъуэу, ар и тегъэщIапIэу Рае зэрылэжьар къыхэзгъэщыну сыхуейуэ аращ щIызэзгъапщэр бзэм и хабзэхэр. АдэкIэ бжыгъэцIэхэр я мыхьэнэ, къэхъукIэ, къэгъэсэбэпыкIэ елъытакIэ зэрызэщхьэщыкIыр щапхъэ къулейкIэ фIы дыдэу къызэпкърех. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ разделым хыхьэу, ауэ зэредгъаджэ тхылъхэм имыт кратнэ бжыгъэцIэхэр пособием зэрихуар. Ар сфIэтэмэмщ, сыту жыпIэмэ ди бзэм куэдрэ къыщыдогъэсэбэп, псалъэжьхэм, таурыхъхэм дыщрохьэлIэ. Сабийр зэлIэлIэн хуейуэ къэслъытэр нэхъыбэрэ бзэм зыщрихьэлIэрщ. Дэтхэнэ псалъэ къэхъукIэ лъэпкъыгъуэми хуэдэу, кратнэ бжыгъэцIэхэр къызэрыхъу щIыкIэр ХьэцIыкIум къегъэлъагъуэ: зэрабж бжыгъэцIэ къызэрыкIуэм и псалъэпкъым суффикс -э пыувэкIэрэ (тIо-м къищынэмыщIа) къохъу кратнэ бжыгъэцIэ «къызытекI бжыгъэцIэм къигъэлъагъуэм хуэдизрэ къытезыгъэзэж» мыхьэнэр иIэу. Зэрабж бжыгъэцIэ зэхэлъым, зэхэтым кратнэ бжыгъэцIэхэр къытохъукI суффикс -рэ- пыувэурэ: пщыкIутхурэ, щибгъурэ плIыщIрэ хэрэ. Кратнэ бжыгъэцIэм и къэхъукIэу щIэныгъэлIхэм IупщI къащIар авторым IуэхугъуиплI псалъэщIэ къэзыгъэхъум зэрыхуигъэкIуэжам и щыхьэту: «Кратные числительные от 1 до 10 образуются от количественных путем замены исходного гласного ы на э: плIы «четыре» — плIэ «четыре раза». От сложных числительных кратные образуются путем присоединения суффикса -рэ — пщыкIух «шестнадцать» — пщы-кIух-рэ «шестнадцать раз», тIощIрэ зы — «двадцать один» — тIощIрэ зэрэ — «двадцать один раз» «Грамматика кабардино-черкесского литературного языка». 1970г. ЦIэпапщIэхэр щызэпкърихкIэ, IупщIу, зэгъэкIуауэ уи пащхьэ кърелъхьэ щхьэ цIэпапщIэхэр щхьэкIэ, бжыгъэкIэ щызэрихъуэкIым деж къагъэлъагъуэр, псалъэр жызыIэр, псалъэр зыжраIэр, зи гугъу ящI щхьэр и лъабжьэмкIэ къыщехь. Формэ къэхъукIэ лъэпкъыгъуэхэм елэжь еджакIуэм ар зэи зэхигъэгъуэщэнукъым. Псалъэм папщIэ: сэ+сэ, и[йы] — сы+се+й = сысей — «япэ щхьэм бгъэдэлъ, ехьэлIа». Щхьэ цIэпапщIэхэм я пкъым тIэу къытригъэзэжурэ, абы еигъэ цIэпапщIэ й-р интерфикс е-кIэ епха хъужурэ къохъу зи щхьэ хущыт еигъэ цIэпапщIэ. Мы Iуэху бгъэдыхьэкIэри щIэныгъэлIхэм жаIэм зэрытехуэм и щыхьэту къы- зохь: «Притяжательные местоимения образуются от сочетания удвоенных основ соответствующих личных местоимений и притяжательного префикса йы: сэ+сэ+йы = сысей «мой», уэ+уэ+йы = уыуей «твой». «Грамматика кабардино-черкесского литературного языка». 1970 г. ХьэцIыкIум интерфиксхэр зыхэлэжьыхь псалъэ къэхъукIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щапхъэу къехь ( пкъоуиплI (пкъо+уи+плI), шууитI — (шу+уи+тI) , сабиих — (саби+и+х). Интерфикс —уи-р ди бзэм зэрыщылажьэм теухуауэ мыпхуэдэу итщ Урыс Хьэталий и «Адыгэбзэ орфографиемрэ пунктуацэхэмрэ я хабзэхэр» тхылъым: «Определительнэ псалъэ зэпхахэр зэпыту ятх: Определительнэ псалъэ зэпхам щыщу иужь итыр бжыгъэцIэмэ, а зэпыувэхэм я кум дэту: зэзыпх -уи- щыIэцIэм и кIэр о, у-кIэ иухмэ: бэлътоуитI, боуипщI, шууиплI…» Иджыпсту дызэреджэ тхылъхэм интерфикс псалъэр иткъым, ауэ тхыгъэр зытеухуа пособиехэм ар ихуащ. Абы упщIэ гуэрхэр къызэрыхэкIар е къыхэкIынкIэ зэрыхъунур аращ къыхэгъэщауэ сыщIытепсэлъыхьыр. Урыс бзэщIэныгъэлIхэми иджыри къыздэсым интерфиксым теухуауэ зэдэууэ гупсысэ пыухыкIа яIэкъым. Интерфиксым зэзыпх къалэныр игъэзащIэу, ауэ езыр зи щхьэ хущымыт Iыхьэу диIэщ, бзэм хэтщ, мэла- жьэ. «Зыгуэр пщIын щхьэкIэ лъабжьэ, фундамент ухуейщ. ПсалъэщIэ къыщыхъукIэ абы лъабжьэ хуэхъур бзэм хэт псалъэхэрщ. Абыхэм псалъэ къэзыгъэхъу морфемэхэр япыувэкIэрэ, псалъэ къыхэщIыкIа къэхъу хабзэщ. Морфемэхэр (псалъэ лъабжьэхэр, префиксхэр, суффиксхэр, кIэуххэр, постфиксхэр, интерфиксхэр) зэхагъэкI я мыхьэнэ, псалъэ къэгъэхъунымкIэ ягъэзащIэ къалэн, псалъэм щаубыд щIыпIэ елъытауэ», — итхауэ щытащ филолог Табыхъу Хьэзрит. НэгъуэщI псалъэ лъэпкъыгъуэхэу щыIэхэри, къапщтэмэ, причастиер, деепричастиер, наречиер, адрейуэ зи щхьэ хущымыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэри Рае тхылъхэм икъукIэ тэмэму щызэпкърех, бзэм и хабзэхэм темыкIыу, Iуэхугъуэу хэлъыр къигъэIурыщIэу. Иджыри куэд дыдэ жыпIэфынущ мы пособие хьэлэмэтхэм папщIэ, зыр къэбгъэлъагъуэмэ адрейр кIэрыбгъэху мыхъуным хуэдизу. Мы тхылъхэмкIэ ирагъэджэну щIэблэм псэлъэкIэ тэмэмыр ящIэу, я гупсысэр жану, ар екIуу къаIуэтэфу, иджырей адыгэ литературэбзэм темыкIыу къэгъуэгурыкIуэну къызолъытэ. «Бзэ IэфIыр дэгуми зэхех», — жеIэ Бейтыгъуэн Сэфарбий. Сэри къыпысщэнут: жьакIуэу, дахэу псалъэр, цIыху хэтыкIэ зыщIэр, сыт хуэдэ Iуэхуми и бгъэдыхьэкIэщIэ къыхуэзыгъуэтыфыр ар узэхъуэпсэнщ. Лъэтеувэм утыку къыщрамыхьами, мы институтым щызэфIагъэкIа нэгъуэщI зы лэжьыгъи и гугъу сщIынут. Ар «Азбукэ нэхъ цIыкIу дыдэхэм папщIэ» жиIэу Хъурей Люсенэ зэхилъхьа тхылъырщ. ИкъукIэ щхьэпэу, и чэзууэ дунейм къытехьэу жыпIэ хъунущ. Адэ-анэхэр я бынхэр анэдэлъхубзэм хурагъэджэну елIалIэркъым, уеблэмэ IэщIыб езыгъэщIхэри мащIэкъым. Езыгъэджэну хуейхэри гугъу йохь, езыхэр и зэманым тэмэму еджахэкъым, иджы я бынхэм зэрадэIэпыкъун Iэмал ягъуэтыркъым. Ауэ щыхъукIэ, мы тхылъ цIыкIум сабийхэм я мызакъуэу, адэ-анэхэри щыгуфIыкIыну къызолъытэ, сыту жыпIэмэ езыхэми ямыщIэ, зэхамыха Iущыгъэ куэд къыщащIэнущ. Хьэрф къэс къопсалъэ, къыбдоджэгу, уегъэIущ, губзыгъагъэ къуегъащIэ, уи гукъыдэжыр къеIэт. Дэтхэнэ хьэрфми и зэфIэкIыр уегъэлъагъу, зыкъыпхуегъэщIагъуэ, зыкъыпхуегъафIэ, уегъэгушхуэ, уегъэгуфIэ. Хьэрф «А»-м къыщыщIэдзауэ «Я»-м нэсыху адыгэ сабий усэхэр, къуажэхь цIыкIухэр, адыгэ псалъэжь Iущхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, сабий джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр дэщIыгъущ. Сабийхэм адыгэ алыфбейр къаригъэцIыху къудей мыхъуу, щIэныгъэми гъэсэныгъэми хуэунэтIауэ щытщ мыбы ит тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Губзыгъагъэ, гупсысэ, Iущыгъэ къызыхэщ мыпхуэдиз псалъэ зэуэ сабий цIыкIухэр зэрырагъаджэ зы тхылъым щызэхуэхьэсауэ иджыри къэс срихьэлIакъым. Сабийм нэхъыбэу игу къинэр апхуэдэ гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэ псалъэхэрщ, чэнджэщ зыхэлъхэрщ, щIагъыбзэ щIэлъымкIэ гъащIэм, дунейм узэрытетынум ухуэзыгъэIущхэрщ. Дэтхэнэ хьэрфми ехьэлIа псалъэхэр, псалъэухахэр тыншу, гурыIуэгъуэу къыхэхащ. Я ныбжьым теухуауэ мыр къехьэлъэкIынщ жыпIэну зыри хэткъым. ЦIыкIухэр нэхъыбэу зыгъэгупсысэн, я зэхэщIыкIымрэ я щIэныгъэмрэ хэзыгъэхъуэн, хьэрфхэр зрагъащIэурэ псалъэхэр зэхалъхьэфу, Iэзэу къагъэсэбэпыфу, ирилэжьэфу щытыным дэтхэнэ дерсри хуэунэтIащ. Лъэпкъым папщIэ апхуэдиз лэжьыгъэ щхьэпэ зэфIэзых ХьэцIыкIу Раерэ Хъурей Люсенэрэ ефIакIуэхэу, я гукъыдэжыр яфIэмыкIуэду, щIэуэ къагъуэтыр адыгэм и хъер хъууэ лэжьэну сохъуэхъу. Адыгэм и къэкIуэным тегузэвыхьу, ар нэху хъуным и гуащIэшхуэрэ акъыл шэщIарэ езыхьэлIэ Хъурей Феликс и дунейр нэхуу лъэпкъым куэдрэ ди пашэну сыхуохъуахъуэ. Я мурадхэр къарырехъулIэ а хэкупсэхэм. БАГЪ Марьям, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24947.txt" }
Лъэпкъхэр зэрешалIэ Дунейпсо Артийскэ комитетым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ лъэпкъхэм яку зэныбжьэгъугъэ дэлъхьэныр, абыхэм я псэкупсэ зэкъуэтыныгъэр щIэгъэбыдэныр. Комитетым къэрал 30-м щIигъу къызэщIеубыдэ, дунейпсо зэгухьэныгъэхэм ящыщу апхуэдэ къалэн щхьэпэ игъэзащIэу мы зэманым щыIэр абы и закъуэщ. Псэкупсэ зыужьыныгъэ и лъэныкъуэкIэ а зэгухьэныгъэм иIэ мыхьэнэр зыкIи къыкIэрыхукъым Олимпийскэ комитетым спортым щиубыд увыпIэм. Абы и щыхьэтщ Дунейпсо Артийскэ комитетым къызэригъэпэщ зэхыхьэ зэхуэмыдэхэр. Апхуэдэу иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я артиадэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Абхъаз, Осетие Ипщэ, Дагъыстан, Къалмыкъ, Шэшэн, Ингуш, Адыгэ республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Москва къалэм къикIауэ цIыху 500-м щIигъу. Пшыхь дахэр къызэригъэпэщащ Дунейпсо Артийскэ комитетым и вице-президент, а зэгухьэныгъэм и лIыкIуэу Кавказым щыIэ, ТворчествэмкIэ академием и президент, академик, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м, КъШР-м, Абхъаз, Осетие Ипщэ, Дагъыстан, Ингуш республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Урысейм и экономикэмрэ щIэныгъэмрэ ефIэкIуэным хуищIа хэлъхьэныгъэхэм папщIэ Петр Щэджащэм и орденыр зыхуагъэфэща, цIыхубэ дипломат Бейтыгъуэн Iэуес Iэбу и къуэм. Адыгэ къафэм махуэшхуэр нэхъри егъэдахэ. — Си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ Кавказым хиубыдэ республикэхэм щыпсэу лъэпкъ хэм яхуэфэщэн пщIэрэ щIыхьрэ яIэу урысейпсо, дунейпсо утыкухэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуа зэрыхъуным, — жеIэ Бейтыгъуэным. — Ди зэманым еджэр мащIэ зэрыхъуар къэплъытэмэ, цIыхухэм Кавказым теухуауэ ящIэ щымыIэу жыпIэ хъунущ. Абыхэм нэхъыбэу зэхахыр ди хэгъуэгум и цIэр IейкIэ щагъэIу политикэ хъыбархэрщ. Апхуэдэу щытми, лъэпкъыр къозыгъэцIыхур ар щыпсэу щIыпIэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэракъым, атIэ и тхыдэрщ, ар гъуазджэ, литературэ, хабзэ, щыIэкIэ-псэукIэ ирехъу. Псом хуэмыдэу Кавказым и цIэр фIыкIэ Iуным хуэныкъуэщ къэралым и жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэт абы и щIэблэр, «кавказ лъэпкъым щыщ цIыху» цIэ лейр зи нэщIыбагъкIэ зыхужаIэхэр. — Фи комитетыр къызэрыунэхурэ нэгъабэ илъэс 20 ирикъуащ. Шэч хэмылъуи, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр евгъэфIэкIуэнымкIэ, щэнхабзэм зевгъэужьынымкIэ а зэманым къриубыдэу фхузэфIэкIар мащIэкъым… — А зэманым къриубыдэу Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я художественнэ гупхэр ди гъусэу къэрал 30-м щIигъум дыщыIащ. Апхуэдэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм кърихьэлIа цIыхухэм я нэгу щIэкIыр щафIэмыгъэщIэгъуэн дыщрихьэлIа къэхъуакъым. Уеблэмэ абыхэм яужькIэ лъэпкъыжьхэм я щэнхабзэ къулейм нэхъ куууэ щыгъуазэ зэрызащIыным хущIэкъухэрт. УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ Уэзрокъуэ Чэрим.Европэм мызэ-мытIэу щедгъэкIуэкIащ Кавказым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэм и махуэхэр. Зыкъыщыдгъэлъэгъуащ Париж, Рим, Венецие, Милан, Берлин, Амстердам, Прагэ, Мадрид, Венэ, нэгъуэщI къалэшхуэхэми я утыкухэм. ЩIыпIэ зэхуэмыдэхэм щыслъэгъуа псор зэхэслъхьэжкIэрэ сэ схужыIэнущ Европэми нэгъуэщI къэралышхуэхэми елъытауэ, ди щэнхабзэм и псэкупсэ къулеягъэ нэхъыщхьэр тхуэхъумэжауэ. Кавказым ис лъэпкъхэм я артиадэр нэхъыбэу зи ужь итыр а къулеягъэр хъумэнырш, ар гъэбэгъуэнырщ. Къалэшхуэхэм щекIуэкI фестивалхэм дыщыхэткIэ гу лъыдотэ абыхэм я художественнэ гупхэм зы лъэпкъыр адрейм къыщхьэщызыгъэкIыж я хабзэр, щэнхабзэр нэсу зэрамыхъумэжыфам. Европэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэшхуэхэм Iэмалыншэу яжь къыщIеху абы щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм икIи абы и лъабжьэр къызэрежьам хуэдэу пхъумэжыныр апхуэдэ щытыкIэм уиту гугъу дыдэщ. - Iэуес, Кавказым ис лъэпкъхэм я артиадэу Налшык иджыблагъэ щекIуэкIам теухуауэ сыт къыджепIэнт? - А щэнхабзэ зэхыхьэм и къалэн нэхъыщхьэр Кавказыр ар сытым дежи зауэ-банэ щекIуэкI щIыналъэ «пщтыру» зэрыщымытыр, атIэ щэнхабзэ къулейхэм я хъумапIэу къызэрекIуэкIыр дуней псом къегъэщIэнырщ. Мыбы зэгурыIуэ-зэдэIуэжу лъэпкъ куэд щызэдопсэу, дэтхэнэми езым и тхыдэ щхьэхуэ иIэжу. Хореографиемрэ макъамэмкIэ къэпщытакIуэ гупым я тхьэмадэ, «Кабардинка» къэрал ансамблым и художественнэ унафэщI, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Атэбий Игоррэ Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым уэрэд жыIэнымкIэ и къудамэм и унафэщI, КъБР-м, Осетие Ипщэ, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэрэ къыхагъэщащ пшыхьым хэта дэтхэнэ зыми зэфIэкI лъагэхэр зэраIэр, Кавказым ис лъэпкъхэр зэзышалIэ, ахэр мамырыгъэм, фIым, гуапагъэм, зэныбжьэгъугъэм къыхуезыджэ мыпхуэдэ зэхыхьэхэр хьэуам дызэрыхуэныкъуэм хуэдэу ди гъащIэм хэтын зэрыхуейр. Кавказым ис лъэпкъхэм я Артиадэм хэтхэр зэныбжьэгъугъэ Iэнэм пэрысщ. Псалъэм папщIэ, Кавказым и цIэр фIыкIэ гъэIуным хуэгъэпсауэ илъэс зыбжанэ хъуауэ Москварэ Санкт-Петербургрэ щыдогъэкIуэкI ди хэгъуэгум щыщ цIыху цIэрыIуэхэу а къалэшхуэхэм ехъулIэныгъэхэр яIэу щылажьэхэр щыдгъэлъапIэ пшыхьхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIи гу лъыдогъатэ Кавказ лъэпкъхэм къыхэкIахэми къэралым и экономикэ, социальнэ, псэкупсэ зыужьыныгъэхэм хуащI хэлъхьэныгъэр зыхуэдэм. МахуищкIэ екIуэкIа зэхыхьэр зэхуащIыжащ «Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ дунейр кърагъэлынущ» фIэщыгъэр зиIэ концерт инкIэ. ЗэIущIэм и мыхьэнэр зэрыиным и щыхьэтт цIыхухэм «мамырыгъэ, зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыгъэ» псалъэхэр жаIэурэ Iэгуауэшхуэ зэрытхуаIэтар. Дунейпсо Артийскэ Комитетым и тхьэмадэ Тарбоков Валерий хэтащ Налшык щекIуэкIа махуэшхуэм икIи и гупсысэхэмкIэ къыддэгуашэу жиIащ: «Нобэ Кавказыр дэркIэ псэкупсэ къулеягъэ нэхъыщхьэхэм я хъумапIэщ, Урысей къэралыгъуэмрэ дунейпсо цивилизацэмрэ я налкъутщ, апхуэдэуи мыхьэнэшхуэ иIэщ абы ис лъэпкъхэр дахагъэм, гуапагъэм, зэныбжьэгъугъэм, мамырыгъэм тепсэлъыхьу утыку къызэрихьэм. Нэхъыщхьэращи, а псори щекIуэкIыр Кавказым и щэнхабзэ щыхьэрхэм ящыщ Налшыкщ. ЖыпIэнурамэ, ар мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхуфIщ икIи абы къыпыщэным хущIэкъупхъэщ. Кавказым трагъэIукI хъыбар мыщхьэпэхэр зэрымэпэжыр къызэрыдгъэлъэгъуэным псори иужь дитын хуейщ». Епсэлъар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24951.txt" }
Зэкъуэшхэр зэрогъэлъапIэ Къэрал дамыгъэхэр тыныр илъэс куэд щIауэ къэгъуэгурыкIуэ хабзэ дахэщ. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий гъэ къэс ирегъэблагъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщI, мэкъумэш, егъэджэныгъэ, щIэныгъэ, щэнхабзэ, спорт, хабзэр хъумэнымкIэ IэнатIэхэм, дзэ, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэм я нэхъыфIхэр. — Къэрал дамыгъэхэр тыныр сытым дежи гуапэу екIуэкI зэIущIэщ, — жиIащ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий. — А дакъикъэхэм деж фIыуэ зыхыбощIэ зы цIыху закъуэм бгъэдэлъ зэчиймрэ и Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ куэд зэрелъытар. Фи Iэзагъымрэ нэхъыфIым фызэрыхущIэкъумрэщ ди къэралым и зыужьыныгъэм лъабжьэ хуэхъур. Фи къарум Iэмал имыIэу дыхуейщ экономикэр къэщIэрэщIэн, псоми ди зэхуэдэ хэкум зиузэщIын папщIэ. Адыгейм щекIуэкI мыпхуэдэ Iуэху гуапэм иджыри зы хабзэ иIэщ: а лъахэмрэ Кубанымрэ ныбжьэгъугъэкIи экономикэ, жылагъуэ, щэнхабзэ IуэхукIи зэпыщIэныгъэшхуэ я зэхуаку дэлъщ. Къэрал дамыгъэхэр зратхэм яхэтт Сочэ къалэмрэ ТIуапсы районымрэ щыщ жылагъуэ лэжьакIуэ зыкъом. АР-м и Къэрал Советым-Хасэм и депутат, «Нэху» къэфакIуэ ансамблыр къызэзыгъэпэща, хьэрычэтыщIэ КIэрмыт Мухьдин къызэрыхилъхьам тету, АР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI ФIыщIэ тхылъкIэ ягъэпэжащ Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид, КIыщмей къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Берд Руслан, Головинкэ къуажэм щыщ хьэрычэтыщIэ Нэпсо Светланэ, Агуей-Шапсыгъ къуажэм и «Жылэ Хасэм» и унафэщI Ныбэ Жамболэт, «КIыщмей» ТОС-м и Советым и Iэтащхьэ ЛIыху Хъэлид, «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм и унафэщI Хъущт Заур, Шапсыгъ лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщI Щхьэлахъуэ Мадин, «Шапсугия» газетым и редактор нэхъыщхьэ Ныбэ Анзор сымэ. Апхуэдэ гулъытэр къыпэкIуащ Тыркум къикIа адыгэ сабийхэм а щIыналъэм зыщагъэпсэхунымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ зэрыхъуам. — Гъэмахуэ кIуам Измир къалэм и гъунэгъуу щыт адыгэ жылэ Ильккуршун щыщ ныбжьыщIэхэр Адыгейм щыхьэщIащ, шапсыгъхэми ирагъэблагъэри, Лазаревскэ, ТIуапсы районхэм зыщаплъыхьащ, — жиIащ КIэрмыт Мухьдин. — Хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъ быдэу зэпыщIа хъун папщIэ къызэдгъэпэща а Iуэхум жыджэру къыхыхьащ Шапсыгъым и жылэхэм дэс ди къуэшхэр. Ауэ фIыщIэ хэха яхуэсщIыну сыхуейт гъэ къэс апхуэдэу къытпэджэжхэм, ди бзэр, тхыдэр, щэнхабзэр хъума хъуныр, лъэпкъыр зэрыгъэгъуэтыжыныр къафIэIуэхуу гугъу зыкъыддезыгъэхьхэм. — Мыпхуэдэ гулъытэ ди къуэш республикэм къызэрытхуищIар ди дежкIэ пщIэшхуэщ, — жиIащ КIэкIыхъу Мэжид. — Дэ тщIэ псори ди гумрэ ди псэмрэ къабгъэдокI. Куэдми мащIэми дытепсэлъыхьынкъым, ауэ тхузэфIэкIыр дощIэ. Къэбарт Мирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24957.txt" }
Нобэ Интернет шынагъуэншэм и дунейпсо махуэщ 1940 гъэм Шотландием щыщ Данлон Джон япэ дыдэу хьэфэ шэрхъ къигупсысащ. Мазаем и 5 — 8-хэм Нью-Йорк (США) щекIуэкIынущ ООН-м и Сабий фондым (ЮНИСЕФ) и ГъэзэщIакIуэ советым и сессиер. УФ-м и цIыхубэ артист Токъуий Хъусен къызэралъхурэ илъэс 86-рэ ирокъу. КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тэрчыкъуэ Исуф къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 — 9, жэщым 4 — 7 щыхъунущ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24960.txt" }
Ди къуэш республикэхэм АдыгэбзэкIэ къыдокI Адыгей. Археологием теухуауэ адыгэбзэкIэ япэ тхылъыр дунейм къытехьащ. Адыгейм и Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэ, археолог цIэрыIуэ Тау Аслъэн игъэхьэзыра тхылъ гъэщIэгъуэным республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэм щыгъуазэ защIащ. Абы теухуа зэIущIэ НыбжьыщIэ библиотекэм щызэхэтащ. Илъэс 30-кIэ Тау Аслъэн Адыгейм и щIыналъэр зэрыщыту щIипщытыкIащ, Iуащхьэ пщIы бжыгъэхэр къыщатIэщым хэтащ, адыгэхэм я щэнхабзэ къулейм щыхьэт техъуэ артефакт минхэр къигъуэтащ. ЗэIущIэм хэтахэм къыхагъэщащ лъахэм и тхыдэм дихьэхыу республикэм щыпсэухэм тхылъыр гъэщIэгъуэн зэращыхъунур. Тау Аслъэн ар урысыбзэкIи къыдигъэкIыну и мурадщ. Сом мелуан 250-рэ Къэрэшей-Шэрджэс. Илъэс кIуам щIыналъэм и агропромышленнэ комплексыр техникэщIэкIэ къызэгъэпэщыным инвестицэу сом мелуан 250-рэ хухахауэ щытащ. Абы и фIыгъэкIэ, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм техникэу 130-м щIигъу зыIэрагъэхьащ. Псом хуэмыдэу щIэупщIэ яIэт МТЗ тракторхэм икIи апхуэдэу 40 къащэхуащ. ЗэрыIуахыж техникэу 18, абы фошыгъу жэгундэм зэрелэжь комбайни 10 хэту, къаIэры- хьащ. Iэщ гъэхъуным елэжьхэри Iыхьэншэ ящIакъым — абыхэм сом мелуан 70 ялъысащ. ЗащIигъэкъуэну къегъэгугъэ Абхъаз. Республикэм и президент Анкваб Александр IущIащ Чанбэ С. и цIэр зезыхьэ Абхъаз къэрал драмтеатрым и режиссер нэхъыщхьэ Ковэ Валерий. Режиссер нэхъыщхьэм къыхилъхьащ дунейпсо театр фестиваль Абхъазым щрагъэкIуэкIыну. А жэрдэмыр президентым диIыгъащ икIи театрым щылажьэ гупым сыт и лъэныкъуэкIи защIигъэкъуэну къигъэгугъащ. — Театр зэпыщIэныгъэхэм срателъхьэщ, ауэ дэ дыхуэкIуэжын хуейщ абхъаз театрым и хабзэхэм. Абы къэкIуэнумкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, — къыхигъэщащ Анкваб Александр. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24962.txt" }
Къэралыр къарууфIэ зыщIыр «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и пашэхэр иджыблагъэ Налшык щыхьэщIащ. Абы хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и Аппаратым и унафэщIхэр, «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и Iэтащхьэ Руднев Максим, КъБР-м и щIалэгъуалэ Парламентым хэтхэр, нэгъуэщIхэри. ХьэщIэхэр япэ щIыкIэ IущIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Жаным Руслан. Жанымым жиIащ нобэрей зэманым щIэблэм нэхъапэ зыри зэрыщымыIэр. — КИФЩI-р бзаджащIэ щыкуэд, зэпыу имыIэу зауэ щекIуэкI щIыпIэу дуней псом дыхэIуащи, куэд къытщощтэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт терроризмэр дуней псор зыгъэгузавэ Iуэхуу зэрыщытыр. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, дэ Iэмалу щыIэр къэдгъэсэбэпурэ, ди щIалэгъуалэр щIэпхъаджащIэхэм зэрыдедмыгъэхьэхыным яужь дитын хуейщ. Ар махуэ къэс дызэгугъун хуей лэжьыгъэщ, щIалэгъуалэм ехьэлIауэ зы Iуэху, IуэхуитI къэпIэткIэ зэфIэкIыркъым, — жиIащ Жанымым. КъыкIэлъыкIуэу щIалэгъуалэр Налшык къалэ дэт «Синдика» интур-хьэщIэщым щыIущIащ КъБР-м и правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. ЩIалэгъуалэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэза нэужь, Къуэдзокъуэм жиIащ мыпхуэдэ зэIущIэхэр зэрыщхьэпэр, къэралыр къарууфIэ зыщIыр щIэблэр арауэ зэрыщытыр. — ЩIалэгъуалэ политикэр зытетыну жыпхъэр убзыхуныр ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Я щхьэ Iуэху дэгъэкIынымкIэ, иджырей дунейм хэзэгъэнымкIэ псом нэхърэ нэхъ жыджэру щытын хуейр зи щIалэгъуэхэрщ. «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» зэгухьэныгъэр зи ужь итыр аращи, фи жэрдэмыр вдэтIыгъыну, хуей хъумэ, зыфщIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ, — къыхигъэщащ Къуэдзокъуэм. Руднев Максим къыщыпсалъэм жиIащ: «КИФЩI-м щыIэ «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» зэгухьэныгъэм дежкIэ нэхъапэр зэрылэжьэну щIыкIэр убзыхунырщ. Щапхъэ зытепх хъун щIыналъэ куэд щыIэщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, щIалэгъуалэм Урысей Федерацэр къызэрыхуейм шэч къытрамыхьэнырщ». Рудневым къыхигъэщащ «Урысей зэкъуэтым и щIэблэм» и къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм и лэжьыгъэр зыунэтIыну 2012 гъэм и дыгъэгъазэм хаха Геккиев СулътIан и мурадхэм арэзы зэрытехъуэр, зэралъэкIкIи абы зэрызыщIагъэкъуэнур. АдэкIэ псалъэ зрата Геккиевым жиIащ зыгуэрым ухущIэкъуныр, къалэн пыухыкIахэр зыхуэбгъэувыжыныр щIалэгъуалэм я хьэл-щэну щытын зэрыхуейр. — Хуейм сытым дежи ищIэн игъуэтынущ. Си гугъэщ къытхуагъэфэща лэжьыгъэр ди къару къихьыну, — захуигъэзащ къызэхуэсахэм Геккиев СулътIан. ЗэIущIэм и кIэухым Къуэдзокъуэ Мухьэмэд хьэщIэхэм тыгъэхэр яхуищIащ, я зэпыщIэныгъэр быдэу илъэс куэдкIэ къызэдекIуэкIыну зэригуапэр къыхигъэщащ. Инарокъуэ Данэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24964.txt" }
Къежьэжын и пэкIэ Мы гъэм япэу Тыркум щригъэкIуэкIа зыгъэсэныгъэр «Спартак-Налшыкым» къиухащ. Къежьэжын и пэкIэ абы зэныбжьэгъугъэ зэIущIитI мазаем и 1-м иригъэкIуэкIащ. Украинэм и чемпионатым епщIанэ увыпIэр щызыIыгъ Луганск и «Заря»-м мы зэIущIэр хуабжьу жыджэру къыщIидзащ икIи псынщIэ дыдэу бжыгъэр къызэIуихащ. «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэтетымрэ гъуащхьэхъумэхэмрэ хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ я хьэрхуэрэгъухэр зэуа штрафнойм. АрщхьэкIэ апхуэдэ щIэдзэкIэм ди щIалэхэм я лъэр щIигъэхуакъым. Уеблэмэ ерыщагъ ин къахилъхьащ. Абы и ужькIэ джэгупIэ губ- гъуэм тепщэныгъэр щызыIыгъар налшыкдэсхэрщ. Ахэр я хьэрхуэрэгъухэм псынщIагъкIи, IэзагъкIи, жыджэрагъкIи ефIэкIырт. Апхуэдэ джэгукIэм, дауи, фIы кърикIуащ. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэр имыух щIыкIэ Короновым къыхита угловойр Аверьяновым Iэзэу къигъэсэбэпащ икIи бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIи, налшыкдэсхэм тепщэныгъэр яутIыпщакъым. Абы и сау-гъэтщ Колумбием къраша Руа текIуэныгъэр къахуэзыхьа топыр зэрыдигъэкIар. Арати, мазаем и 1-м зэхэта япэ зэIущIэм «Спартак-Налшыкым» Луганск и Заря»-р 2:1-уэ щыхигъэщIащ. А махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэм ди щIалэхэр Хорватием и Запрешич къалэм и «Интер» командэм дэджэгуащ. Шыпш Тимур абы къыщигъэсэбэпар япэ зэIущIэм хэмытахэрщ. Мыри налшыкдэсхэм хуэмыхуу ирагъэжьащ. Джэгум и япэ Iыхьэм къыщыхудагъэкIа топым, загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ, иджыри зы гъусэ къыхурагъэщIыжащ. АрщхьэкIэ, 0:2-уэ къыхагъащIэ пэтми, «Спартак-Налшыкыр» икIуэтакъым. Ди командэм къыхагъэхьэну зыкIэлъыплъ гъуащхьауэм япэ щIыкIэ бжыгъэр нэхъ езэгърабгъу ищIащ. Абы иужькIэ, джэгур и кIэм нэблэгъэпауэ, Гъурф Азэмэт и хьэрхуэрэгъум ерыщу ебгъэрыкIуэщ, топыр къытрихри, и закъуэ гъуэм бгъэдыхьащ икIи Iуэхур 2:2-м хуигъэкIуащ. Арати, Тыркум щригъэкIуэкIа зыгъэсэгъуэм ди щIалэхэм зэныбжьэгъугъэ зэIущIэу 4 щрагъэкIуэкIащ. Япэм Болгарием и «Пирин»-р 0:1-уэ къыщытекIуащ, къыкIэлъыкIуэм Полтавэ и «Ворскла»-м 0:0-у дэджэгуащ, ещанэм Луганск и «Заря»-м 2:1-уэ ефIэкIащ, иужьым Хорватием и «Интер»-м зэрытемыгъэкIуауэ бгъэдэкIыжащ. Иджыпсту «Спартак-Налшыкыр» Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щыIэщ. Мыгувэу ар Кипрым кIуэнущ, мазаем и 9-м щыщIэдзауэ абы щекIуэкIыну Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм хэтыну. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24969.txt" }
Гуащэ театрым и зэфIэкIхэр Мазаем и пэщIэдзэ махуэхэм щегъэжьауэ Налшык и курыт еджапIэхэм я хьэщIэнущ куэдым фIыуэ ялъагъу, республикэм и Гуащэ театрым и артистхэр. Мазаем и 5-м школ №25-м абыхэм щагъэлъэгъуащ Орловым и «Дыщэ джэджьей» спектаклыр. Ар зытеухуар псоми яфIэбзаджэ дыгъужьым, икIэм- икIэжым, джэджьей цIыкIум къыхузэкъуиха гу щабагъэрщ. Нобэ еджапIэ №18-м щекIуэкIынущ Юнгер и «Розэ хужьым» къытращIыкIа театр теплъэгъуэр. Ар теухуащ зи къуажэр уд еIуящIэхэм къезыгъэла щIалэ хъыжьэ цIыкIум. Сабий гъэсапIэ №57-м щыIэ цIыкIухэр иужькIэ ягъэгуфIэнущ «Аслъэн гу щабэ» спектаклымкIэ. Абы хэт лIыхъужьхэм ди лъэпкъхэм къадэгъуэгурыкIуэ цIэхэр зэрызэрахьэм сабийхэр нэхъри дрегъэхьэх: Уд фызыжь бзаджэм идыгъуну хуежьа Сурэт пщащэ дахащэм и лъыхъуакIуэ ежьа и анэр, и шыпхъу цIыкIухэу КIулэрэ Гулацэрэ мэзым щыхуозэ псори зыщышынэ хьэкIэкхъуэкIэ абрагъуэ аслъэным. АрщхьэкIэ, лъыхъуакIуэхэм зэрамыгугъауэ, ар гуапэу къаIуощIэ икIи къадэIэпыкъуну хьэзыру къыщIокI. Абы уд бзаджэм тезыр трелъхьэри, Сурэт хуит къахуещIыж. Мазаем и 8-м сабий сад №56-м Смирновым и «Iэпэпшынэм и зу макъ» пьесэм къытращIыкIа гъэлъэгъуэныгъэхэр щекIуэкIынущ. Спектаклым хэт джэдур адрейхэм ещхькъым — хуейкъым дзыгъуэ къиубыдыну. Езым хуэдэ псэущхьэхэм къадекIуэкI хьэгъэщагъэхэм ар къапокIри, пшынауэ хъуну и ужь йохьэ. Абы папщIэ Iэпэпшынэ иIэн хуейщ. Абы и къэлъыхъуакIуэ къыздикIухьым, мэз, унэ псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм яхуозэ икIи гупсысэхэмкIэ ядогуашэ. Гуащэ театрым утыку кърихьэну теплъэгъуэхэм зи гупсысэр нэсу иджыри зэрымыубыда цIыкIухэр фIым, гуапагъэм, гущIэгъум къыхура-джэ, я гур дахагъ нэсым хузэIуех. Жанхъуэт Зузэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24972.txt" }
Сэкий (КIарэ) Риммэ СэфрэIил и пхъур Адыгэ, къэрал лъэпкъ щIэныгъэм хэщIыныгъэ игъуэтащ. Урысей Федерацэм, нэгъуэщI къэрал куэдым щыцIэрыIуэ адыгэ бзылъхугъэ, лингвокультурологиемкIэ, германистикэмкIэ, хамэ къэрал литературэмкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Сэкий (КIарэ) Риммэ СэфрэIил и пхъур дунейм ехыжащ. Сэкийр лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа хэкупсэщ. Абы и зэфIэкIым къихьахэм ящыщщ Бзэхэр щаджу Армавир дэт бзэ, социальнэ институтыр. А еджапIэ нэхъыщхьэм и зэфIэувэныгъэри иужькIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэри зэпхар Сэкий Риммэ и цIэрщ. Шэджэм куейм хыхьэ Шэджэм Езанэ къуажэм (иджы Шэджэм къалэ) къыщалъхуащ Риммэ. ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным хуэпабгъэу къэхъуа хъыджэбз цIыкIум ехъулIэныгъэ иIэу 1954 гъэм къеух къуажэм дэт курыт школыр. Нэмыцэбзэм дихьэхырти, а бзэм нэхъ куууэ КъБКъУ-м щыхуоджэ. «НэмыцэбзэмкIэ егъэджакIуэ» IэщIагъэр зэрыт дипломыр абы кърат 1961 гъэм. Къэрал комиссэм и унафэкIэ Риммэ щылэжьэну ягъакIуэ Черкесск къалэм дэт курыт школ №13-м. Илъэс зыбжанэкIэ абы щылэжьа нэужь, Риммэ Армавир мэIэпхъуэ икIи и лэжьыгъэм щыпещэ Кхъухьлъатэзехуэхэр щагъэхьэзыру Армавир дэт дзэ еджапIэ нэхъыщхьэм. ИужькIэ, 1971 гъэм, ар егъэджакIуэу ирагъэблагъэ Армавир дэт къэрал педагогикэ академием хамэ къэралыбзэхэр щрагъэдж и кафедрэм. И IэнатIэм гурэ псэкIэ бгъэдэт лэжьакIуэ гумызагъэм абы къыщикIуащ гъуэгуанэ купщIафIэ, ассистентым къыщыщIэдзауэ профессорым нэс. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ бзылъхугъэм и зэфIэкIхэм щыхигъэхъуащ Джавахишвили и цIэр зэрихьэу Тбилиси дэт къэрал университетым. 1977 гъэм Риммэ ехъулIэныгъэ иIэу пхегъэкI и кандидат диссертацэр. Абы и ужькIэ куэд дэмыкIыу Риммэ дзыхь къыхуащI щылажьэ кафедрэм и унафэщI къалэныр. УнафэщI гумызагъэм, псом япэрауэ, мурад ещI зыхэт гупым я щIэныгъэм хригъэгъэхъуэну. Абы папщIэ Сэкийм кафедрэм кърегъэблагъэ Москва, Дон Iус Ростов, Краснодар къалэхэм я щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр. Ахэр я унафэщIу, чэнджэщэгъуу, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм хагъахъуэу хуежьащ: къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкIырт, статьяхэр ятхырт, диссертацэхэр ягъэхьэзырырт. КъыкIэлъыкIуэ илъэс зытхухым къриубыдэу кафедрэм иIэ хъуащ щIэныгъэхэмкIэ япэ кандидатхэр, нэхъ иужьыIуэкIэ — докторхэр. Ахэр мэхъу Сэкий Риммэ къызэригъэпэща щIэныгъэ школым и лъабжьэ. ЕгъэджакIуэхэри студентхэри зы ящIат бзэм хуаIэ лъагъуныгъэм, зэхэщIыкI лъагэм, ар зэрегъэджыпхъэмрэ абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэр зэрегъэкIуэкIыпхъэ Iэмалхэмрэ хуаIэ гупсысэхэмрэ Iуэху еплъыкIэхэмрэ. Кафедрэм и Iуэхур зэрыригъэфIакIуэм къыдэкIуэу, езы Сэкийми и зэфIэкIхэр нэхъ лъагэж мэхъу. И щIэныгъэмрэ зэфIэкIхэмрэ, кафедрэм щызэфIах лэжьыгъэмрэ зэрырагъаджэ методикэмрэ иригъэфIэкIуэн папщIэ, Риммэ щIэх-щIэхыурэ макIуэ хамэ къэрал зыбжанэм. Ар жыджэру хэтщ хамэбзэр егъэджыным и IуэхукIэ Германием, Франджым, Финляндием, Швецием, нэгъуэщI щIыпIэхэм щызэхуашэс дунейпсо конференцэхэм, абыхэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лэжьэкIэ мардэхэм щыгъуазэ зыхуещI. 1994 гъэм педагогикэ академием Сэкийм къыщызэIуихащ германыбзэхэр джынымкIэ щIэныгъэ аспирантурэ икIи абы и лэжьыгъэр къызыхуэтыншэу зэтреублэ. А илъэсхэм Сэкийм мурад ещI уней еджапIэ нэхъыщхьэ къызэIуихыну икIи абы и убзыхукIэ хъунум йолэжь. 1992 гъэм ирихьэлIэу Риммэ егъэхьэзыр «Штриттматтер Эрвин и художественнэ дунейр» доктор диссертацэр. А лэжьыгъэм пщIэшхуэ щиIащ щIэныгъэ дунейм. Филологие щIэныгъэхэм я доктор хъуа адыгэ бзылъхугъэм УФ-м Егъэджэны-гъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ къыфIащ профессор цIэ лъагэри. Куэд дэмыкIыу щIэныгъэлIхэм нэрылъагъу ящыхъуащ Сэкийм и акъылыфIагъым къихьа ехъулIэныгъэр. 1993 гъэм абы къызэIуех уней еджапIэ нэхъыщхьэ — Армавир лингвистикэ-социальнэ институт (АЛСИ). Риммэ и гъусэу абы щылэжьащ лъэпкъ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Сэкий Нурдин, Бэчыжь Лейлэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Мы зэманым институтыр йофIакIуэ, зеужь. Зыхуеину щIэныгъэ, методикэ, техникэ лъабжьэшхуэ зиIэ а еджапIэм щIалэгъуалэр IэщIагъэ 15-м щыхурагъаджэ, бзэм епха къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкI, Iуэху зехьэкIэ мардэщIэхэм зыщрагъэубгъу. Краснодар крайм щыяпэ апхуэдэ еджапIэ нэхъыщхьэр къалъытащ лъэпкъ щIэныгъэм зезыгъэужь хэлъхьэныгъэшхуэу. Риммэ и еджапIэ нэхъыщхьэр нобэ ябж Урысей Федерацэм и Ипщэ щIыналъэм и щIэныгъэ, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ центру. Илъэси 10-м щIигъукIэ Сэкийр хэтащ Кубань къэрал университетымрэ Адыгэ къэрал университетымрэ доктор, кандидат диссертацэхэр щыпхагъэкI я советхэм. Адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэм и нэIэм щIэту ягъэхьэзыращ доктор диссертацэу 4, кандидат лэжьыгъэу 18 икIи ахэр ехъулIэныгъэкIэ пхагъэкIащ. Апхуэдэ лэжьыгъэшхуэхэм я закъуэкъым Сэкийр цIэрыIуэ зэрыхъуар. Куэд щыгъуазэщ абы и къалэмыпэм къыпыкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм. Псори зэгъусэу ахэр 400-м щIегъу. Абыхэм яхэтщ монографиеу 31-рэ, щIэныгъэ статьяуэ 310-м щIигъу, тхылъхэу, методикэ пособие зэхуэмыдэхэу 150-м нэс. Ахэр шэщIауэ къыщагъэсэбэп еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэм, егъэджакIуэхэм. Урысей Федерацэм, Кубаным щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Оксфорд университетым «Илъэсым и бзылъхугъэ» дамыгъэр зыхуигъэфэща, щIэныгъэ лэжьакIуэ пэрытыр а псоми къадэкIуэу, жылагъуэ Iуэхухэми щыцIэрыIуэт. Ар хэтащ Урысейм и германистхэм, философхэм я зэгухьэныгъэхэм. Абыхэм щызэфIих Iуэхугъуэхэр къалъытэри, Сэкийм къратащ «Урысей Иным и зэIузэпэщыныгъэм зэрыхуэлажьэм папщIэ» жылагъуэ дамыгъэ лъапIэр. Апхуэдэу Риммэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, Социальнэ лэжьыгъэмкIэ дунейпсо академием я академикт. Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр зэригъэбыдэм, лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным хуищI хэлъхьэныгъэм папщIэ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я Ассамблеем Сэкий Риммэ игъэпэжауэ щытащ ЩIыхь тхылъкIэ. Сэкий (КIарэ) Риммэ СэфрэIил и пхъум, щIэныгъэ лэжьакIуэшхуэм, адыгэм и цIэр фIыкIэ жыжьэ щызыгъэIуфа бзылъхугъэ щыпкъэм, и фэеплъыр куэдрэ дигу ихунукъым. ЩIэныгъэхэмкIэ Дуней-псо Адыгэ Академиер, Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24976.txt" }
Адыгэхэм я тхыдэм урегъэплъэж Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Адыги: воины и мастера» сурэтылъэ дэгъуэ. А къыдэкIыгъуэм (А4 формату напэкIуэцI 328-рэ мэхъу) ихуа тхыгъэр я купщIэкIи къызэщIаубыдэ IуэхугъуэкIи гъэщIэгъуэнщ, езым и теплъэкIи и зэхэгъэувэкIэкIи къызэрымыкIуэщ. Апхуэдэ жэрдэмыр къызыбгъэдэкIа, тхылъ тедзапIэм и сурэтыщI Щоджэн Жаннэ а лэжьыгъэм илъэс зыбжанэ тригъэкIуэдащ. Жаннэ и лэжьыгъэм егугъуу зэрыбгъэдэтым и фIыгъэкIэ сурэтылъэм щызэхуэхьэса хъуащ адыгэхэм къадекIуэкIа IэпщIэлъапщIагъэм и лIэужьыгъуэ псори. Абы ихуащ ди къэралми хамэ щIыпIэхэми щыIэ музейхэм, цIыху щхьэхуэхэм я унэм щахъумэ хьэпшып куэдым я сурэтхэр. Зыпэрыува лэжьыгъэм и инагъымрэ яIэ зэфIэкIымрэ зэхуэмыдэми, псори абы къызэщIебгъэубыдэфыну зэрыщымытыр къагурыIуэу тхылъ тедзапIэр хущIэкъуащ адыгэ IэпщIэлъапщIэхэм я зэфIэкIыр нэхъ щызу, куууэ къызэрагъэлъэгъуэным. «Адыги: воины и мастера» къыдэкIыгъуэм къибгъуэтэнущ абы ихуа хьэпшыпхэм ятеухуа хъыбархэр адыгэбзэкIи инджылызыбзэкIи тхауэ, щэ бжыгъэкIэ абы къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэм ящыщ куэдым тхылъеджэхэм я мызакъуэу, IэщIагъэлIхэри щыгъуазэкъым. Тхылъыр плъыфабэу тра-дзащ, и жинтыр Iуву, икъукIэ дахэу гъэщIэрэщIауэ апхуэдэщи, къыдэкIыгъуэр хэт и дежкIи саугъэт дэгъуэщ. Сурэтылъэр къыдэгъэкIыным текIуэдэну мылъкум тхылъ тедзапIэр и закъуэкIэ щыпэмылъэщым, дэIэпыкъуэгъухэр къалъыхъуащ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ лъэIум къыпэджэжар зы цIыху закъуэщ — Москва къалэм дэс, «Велес Капитал» инвестицэ IуэхущIапIэм и унафэщI Гнедовский Алексейщ. КъыдэкIыгъуэр зылъэгъуа дэтхэнэми ар фIэгъэщIэгъуэнащ икIи абы ирогушхуэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ а сурэты-лъэм и фIыгъэкIэ нэхъыбэм къащIащ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм и кууагъыр, абы гъуэгуанэ купщIафIэ къызэрызэринэкIар. Тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляров Виктор «Адыги: воины и мастера» лэжьыгъэшхуэм нэхъ зыубгъуауэ къытхутепсэлъыхьыну зыщыхуэдгъазэм жиIащ: — XVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм и щэнхабзэр зы-джа нэмыцэ тхыдэдж Гердер Иоганн Готфрид «дахагъэм и щIыналъэкIэ» зэджа Черкесиер нобэ картэм къыщымыгъэлъэгъуа къэралыгъуэщ. Адыгэ щэнхабзэр зыхуэдэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ хьэпшып куэд дуней псом щызэбгрыдзащ. Ахэр зи теплъэкIэ, зи купщIэкIэ, ягъэзащIэ мыхьэнэкIэ куэд къыпхуэзыIуатэщ, дэтхэнэми езым и къалэн щхьэхуэ иIэжрэ художественнэ дахагъи япкърылъу. Иужьрейр — дахагъэр — дэтхэнэ хьэпшыпми хэплъагъуэрт, ирехъу ар Iэщэ, щыгъын, шым епха Iэмэпсымэ, унагъуэм къыщагъэсэбэп хьэпшып. Адыгэхэм я зауэ гъуэгуанэр, псом япэрауэ, къыпхуаIуатэ ахэр гъущIым зэрелэжьу щыта щIыкIэм. ГъущIым и къэгъэсэбэпыкIэм, абы нэгъэсауэ Iэзагъ ин хэлъу Iэщэ къызэрыхащIыкIым я цIэр фIыкIэ игъэIуат. Адыгэ афэ джанэр Персым нэс ирагъашэрт, адыгэ гъукIэ-фочыщIэ нэхъыфIхэр Москва ирагъэблагъэрти, сэшхуэхэмрэ къамэхэмрэ абдеж щрагъэщIырт. Уеблэмэ, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, апхуэдэ IэщIагъэлIхэр яхузэрымыгъэгуэшу зауэхэр къыщагъэхъей щыIэт. Абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэт: зихуэдэ щымыIэ хьэпшып дахэр зэращIым и мызакъуэу, а IэпщIэлъапщIэхэм мыхьэнэшхуэ ягъэзащIэрт лъэпкъым щэнхабзэщIэ зэригъэпэщынымкIэ, абы зиужьынымкIэ. Адыгэ сэшхуэр, адыгэ къамэр, адыгэ фочыр — а псалъэ зэпхахэр фIагъ псалъэм и синоним хъуат. «Дыщэрэ дыжьынкIэ ахэр зэрагъэщIэращIэр Iэщэм дихьэх европейхэм зэрагъэщIэгъуэныр къахуэщIэртэкъым», — итхыжыгъащ адыгэхэм я щхьэхуитыныгъэм щыщIэбэным яхэта Лапинский Теофил (1827-1886 гъ.гъ). Адыгэхэм я Iэщэ лIэужьыгъуэхэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкI нагъыщэ нэхъыщхьэр абыхэм тет тхыпхъэхэрт. Ар адыгэхэм я щэнхабзэм и зы Iыхьэ гъэщIэгъуэнщ. Тхыпхъэхэм уащрохьэлIэ лъэпкъ фащэм, цIыхубз, цIыхухъу бгырыпххэм, вакъэм, дыщэхэкI хьэпшыпхэм, шым епха Iэмэпсымэхэм, пхъэм къыхэщIыкIа хьэкъущыкъу зэхуэмыдэхэм. Адыгэ лъэпкъ фащэм, псом хуэмыдэу бзылъхугъэм ейм, тхыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр хэту апхуэдэщ, ар дыщэ, дыжьын IуданэхэмкIэ хэдыкIащ, уагъэхэмкIэ гъэдэхащ. Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ икIи кавказ лъэпкъ щыгъыныгъуэ нэхъыщхьэу къалъытэ адыгэ цIыхухъу фащэр, щIакIуэр, бащлъыкъыр. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я закъуэкъым абыхэм щапхъэ тезыхар, нобэ а фащэр зэрахьэ къэзакъхэми. Адыгэ IэпщIэлъапщIэхэм ящIа дэтхэнэ зы хьэпшыпри и теплъэкIэ зэрыдахэм хуэдэу, и къэгъэсэбэпыкIэкIи тыншу, сыт и лъэныкъуэкIи гъащIэм хуэщIауэ щытщ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, адыгэ Iэщэхэр, шы Iэпслъэпсхэр, вакъэр, зыгуэрхэр кърепхьэкIыну ящIа чысэр, хъуржыныр, къэлътмакъыр. Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм жэуаплыныгъэшхуэ и пщэ дилъхьэжу илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр дунейм къызэрытригъэхьэфам, гугъэ къыдет дунейпсо тхыдэм зи лъэужь къыхэзына лъэпкъым и къекIуэкIыкIам и щэху куэд къытхузэIузых лъэбакъуэщIэхэр адэкIэ ячыну. ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24979.txt" }
Дыкъэзыгъафэ — дыкъэзыгъэуджхэм я зэхыхьэшхуэ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм щызэхуащIыжащ «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. Абы хэтащ республикэм и къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэм ящыщу фIым я фIыжхэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэгъабэ и кIуэцIкIэ республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щекIуэкIащ «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэм и япэ Iыхьэр. Абы кърикIуам тету, къыхэжаныкIахэр Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм ирагъэблэгъащ. Республикэм ис лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри зэхыхьэм зэхуишэсащ. Ахэр темыпыIэжу пэплъэрт дыкъэзыгъафэ, дыкъэзыгъэудж гупхэр сценэм къыщихьэну дакъикъэм. Япэу сценэм къихьащ КъБКъУ-м уэрэдымкIэ и «Амикс» цIыхубэ театрыр, республикэм исхэм фIыуэ ялъэгъуа Къалмыкъ Тамерлан цIыкIу я пашэу. ЩIыхь зыпылъ къалэныр — зэхыхьэр къызэIухыныр — ахэрт зылъагъэсар. «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» уэрэдымкIэ фестивалыр къызэIуихащ «Амикс» театрым. Зэхыхьэм и къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ езыгъэблэгъар фестивалым хэтхэм я нэхъыщIэ дыдэ, зи къэфэкIэ дахэмрэ зыIыгъыкIэ екIумрэ лъэпкъыр иригушхуэ Тамерлан цIыкIущ. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ и пса-лъэм къыхигъэщащ республикэм и щэнхабзэм мы фестивалым мыхьэнэшхуэ зэрыщиубыдыр. Зэхыхьэм зи зэфIэкI щызыгъэлъэгъуэну гупхэм ящыщу уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ Iэзэ къызыхэкIынухэмрэ пщэдей нэгъуэщI щIыналъэхэм республикэм и цIэкIэ зыкъыщызыгъэлъэгъуэну артистхэмрэ мыбдеж къызэрыщынэIуэнур абы жиIа нэужь, фестивалым хэтхэм ехъуэхъуащ я зэфIэкIхэм хагъахъуэрэ ехъу-лIэныгъэ я куэду утыку итыну, я мурадхэр къехъулIэну. — Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэфIэкI зиIэ цIыхухэмкIэ дапщэщи къулейуэ щытащ. Ди къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэр зэпымыууэ я зэфIэкI щоплъыж урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм. Абыхэм республикэм и цIэр зэрыщаIэтым, езыхэми нэгъуэщIхэр зэрызытрамыгъакIуэм дрогушхуэ. Мы зэхыхьэм хэт гупхэм ящыщ куэдым, зэрыныбжьыщIэми емылъытауэ, къыфIащащ «щапхъэ зытрах», «цIыхубэ ансамбль» щIыхьыцIэхэр. Республикэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэми ахэр къыщацIыхуауэ фIыуэ къалъагъу. Гупхэм я утыку итыкIэ екIумкIэ а пщIэр езыхэм къалэжьыжащ, — жиIащ Портэ Галинэ. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан фIыщIэ яхуищIащ республикэм и районхэмрэ къуажэхэмрэ я Iэтащхьэхэм цIыхубэ гъуазджэм гулъытэ зэрыхуащIым, нэхъыжьхэм къащIэна щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр зэрахъумэм папщIэ. Министрым жиIащ республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыIэ ЩэнхабзэмкIэ унэхэр зэрагъэпэщыжу абы я лэжьыгъэхэр зэтегъэувэжыным теухуа программэхэр зэрагъэзэщIэнур, ныбжьыщIэхэр IэпщIэлъапщIэу ягъэсэныр, къафэмрэ уэрэдымрэ я Iэпэгъуу къагъэхъуныр я къалэн нэхъыщхьэхэм зэращыщыр. ЦIыхубэ творчествэм хуащIа хэлъхьэныгъэфIым папщIэ, «щапхъэ зытрах», цIыхубэ ансамбль» цIэхэр зэрыфIащам щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъхэр Фырэ Руслан яритыжащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Шэджэм район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Вэрокъуэ Ларисэ (уэрэдымрэ къафэмкIэ «Шэджэм псыкъелъэхэр» цIыхубэ ансамблыр, къафэмкIэ щапхъэ зытрах «Джигиты Чегема» ансамблыр, нэгъуэщIхэри), Прохладнэ район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI ЛутI Алим (къафэмкIэ щапхъэ зытрах «Импрессия», «Улыбка», «Повитруля» ансамблхэр, «Родные просторы» цIыхубэ хорыр, нэгъуэщIхэри), КъБКъУ-м и проректор Къумыкъу Iэуес («Къафэ» цIыхубэ ансамблыр, къафэмкIэ «Каллисто» цIыхубэ театрыр, КъБКъУ-м и хорыр, уэрэдымкIэ «Амикс» цIыхубэ театрыр), Аруан район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Шыгъушэ Хьэутий (уэрэдымрэ къафэмкIэ «Нартхасэ» цIыхубэ ансамблыр, уэрэдымрэ къафэмкIэ щапхъэ зытрах «Нартшыр» ансамблыр, къафэмкIэ «Вдохновение» цIыхубэ ансамблыр, нэгъуэщIхэри). А махуэм ялъэкI къагъэнакъым Шэджэм, Прохладнэ, Аруан, Дзэлыкъуэ, Лэскэн, Iуащхьэмахуэ, Бахъсэн, Тэрч районхэмрэ КъБКъУ-мрэ я къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэм. Зи нэгум нурыр кърих ныбжьыщIэхэм я утыку итыкIэм зэхуэсахэм дэрэжэгъуэу иратар къэIуэтэжыгъуейщ. «Шэджэм псыкъелъэхэм» я макъ жьгъырум, КъБКъУ-м и «Къафэ» цIыхубэ ансамблым и пасэрей хьэтхэм я къафэм, «Нартхасэ», «Нартшыр», «Нур», «Ислъэмей», «Анзорей» ансамблхэм я пщащэ зэкIужхэмрэ щIалэ къуданхэмрэ я къэфэкIэм, зауэлIхэмрэ ахэр зыхъумэ мелыIычхэмрэ я къафэу «Дэрэжэгъуэ» цIыхубэ ансамблым игъэзэщIам нэри псэри яхьэхуат. Прохладнэ куейм и къэзакъхэм я къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ абы щIыбгъужмэ, гурыIуэгъуэщ зэхыхьэр нэгузыужьу, гукъинэжу зэрекIуэкIар. Къафэмрэ уэрэдымрэ щызэщIэжьыуэ фестивалым кърихьэлIахэм я гур хигъэхъуарэ, апхуэдэ зэфIэкI зиIэ щIэблэ къызэрытщIэхъуэм иригушхуэу зэбгрыкIыжащ. ТЕКIУЖЬ Заретэ. Нэри псэри яхьэхурт Гур зыгъэушэ, псэр зыгъэлъатэ къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ теухуа «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестивалыр купщIафIэу зэрекIуэкIам къыщымынэу, удэзыхьэхт, гукъинэжт. Щэнхабзэ зэхыхьэм и етIуанэ махуэм Шэрэдж, Май, Дзэлыкъуэ районхэм, Прохладнэ, Бахъсэн, Налшык къалэхэм я къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэм я зэфIэкI ягъэлъэгъуащ. Абыхэм еплъыну къызэхуэсахэм КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан защыхуигъазэм къыхигъэщащ фестивалым хэт ансамблхэм республикэ псор зэрырипагэр, ахэр лъэпкъым и налкъутналмэсу зэрыщытыр. — ФIыгъуэу къызолъытэ ди щIэблэр мыпхуэдэ Iуэху дахэм къызэрыхыхьэр. ЗэманкIэ зыпэплъытмэ, къафэм дихьэх, щэнхабзэр зыхэзыщIэ, хабзэм къыдекIуэкI щIалэгъуалэр нобэ нэхъыбэ хъуащ. Ар долъагъу утыкум къихьэ ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэм ущыкIэлъыплъкIэ. Узыншагъэрэ ехъулIэныгъэрэ яIэну со-хъуэхъу псоми, — жиIащ министрым. ЦIыхубэ творчествэм хуащI хэлъхьэныгъэм папщIэ, я лэжьыгъэм хуэIэижьу зэрыпэрытым щхьэкIэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр иратащ Налшык щылажьэхэу: щапхъэ зытрах «НалцIыкIу» сабий къэфакIуэ гупым, къафэмкIэ «Черкесия» цIыхубэ ансамблым, «Басият», «Минги-тау», «Нартсанэ», «Кавказ», «Дети гор», «Элия» къэфакIуэ гупхэм, «Эстафета» цIыхубэ хорым, «Родник» къэзакъ лъэпкъ хорым; Шэрэдж районым щыщхэу: къафэмрэ уэрэдымкIэ «Карасу», «Къуанч», «Iуащхьэмахуэ» ансамблхэм; Прохладнэ къалэм: «Блюз», «Новое дыхание», «Созвездие», «Росичи», «Ассорти» къэфакIуэ гупхэм; Май щIыналъэм: «Феникс» уэрэджыIакIуэ студием, «Майчанка», «Водограй», «Мы — терские казаки» ансамблхэм; Дзэлыкъуэ районым: «Маленький джигит», «Эхо гор», «Нэмыс», «Ислъэмей»; Бахъсэн къалэм: «Агни», «ДжэгуакIуэ», «Бахъсэн ауз», нэгъуэщIхэми. Гукъыдэжыр къиIэту зэхыхьэм япэу зыкъыщигъэлъэгъуащ лъэпкъ къафэхэмкIэ «Дети гор» ансамблым (художественнэ унафэщIыр Кушмэзокъуэ Рафаилщ). Къыхэгъэщыпхъэщ мы гупым и илъэс 30-р гъэ къакIуэ и мазаем зэригъэлъэпIэнур. 1986 гъэм абы къыфIащащ «Щапхъэ зытрах» цIэр. Ансамблым хэт сабии 112-м ягъэзащIэ Кавказым ис лъэпкъхэм я къэфэкIэ зэмылIэужьыгъуэу 30-м нэблагъэ. Я теплъэкIэ лыду, я макъкIэ жьгъырууэ … апхуэдэт Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я «Эстафета» хорыр (художественнэ унафэщIыр КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хъарзынэ Рустамщ). Гупым хэт цIыху 43-м щыщу плIыр Хэку зауэшхуэм и ветеранщ. КъафэмкIэ щапхъэ зытрах «Басият» ансамблым хэт щIалэгъуалэр я къару еблэжакъым, я зэфIэкI ягъэлъэгъуэн папщIэ. Сыт щыгъуи зи мурадыр зэзыгъэхъулIэ, жыджэр гупыр Хьэсэней жылагъуэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къыщызэIуахым ирихьэлIэу къызэрагъэпэщауэ щытащ. Ансамблым и репертуарым къэрэшей-балъкъэр лъэпкъ къэфэкIэхэм къищынэмыщIа, Кавказым ис лъэпкъ псоми я къафэхэри хэтщ. Ахэр ныбжьыщIэхэм къехъулIэн щхьэкIэ набдзэгуб-дзаплъэу, гумызагъэу гупым ядолажьэ Мусукаевэ Анжеликэ. Фестивалыр я къафэхэмкIэ ягъэдэхащ ансамбль нэхъ щIалэ дыдэхэм щыщ «Минги-тау»-м. ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №1-м и къудамэу Хьэсэней дэтым 2007 гъэм къыщызэрагъэпэща гупым зэман кIэщIым зэфIэкI къигъэлъэгъуащ, зэхьэзэхуэ, фестиваль зэхуэмыдэхэм саугъэт лъапIэхэр къыщихьащ. Щэнхабзэ зэхыхьэм гупым щигъэзэщIащ хабзэм ехьэлIа къэфэкIэхэр. Гулъытэ хэха хуэфащэщ зи тхыдэр зэман жыжьэм кIуэ «Родник» къэзакъ лъэпкъ хорым. 1985 гъэм къэунэхуа уэрэджыIакIуэ гупым нобэкIэ цIыху 30 хэтщ. Абыхэм ягъэзащIэ Тэрч, Дон, Кубань къэзакъхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я уэрэдхэр. Республикэр зэрыгушхуэ, зэрыбжьыфIэ ансамблхэм ящыщщ Дзэлыкъуэкъуажэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм щагъасэ «Маленький джигит» сабий къэфакIуэ гупри (художественнэ унафэщIыр Къардэн Вячеславщ). Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я къафэхэр зыгъэзащIэ мы ансамблым и цIэр жыжьэ щигъэIуащ, зэрыщыIэ илъэсипщIым къриубыдэуи республикэ зэхьэзэхуэ куэдым я лауреат хъуащ. Гупым хэтщ илъэси 9 — 15 ныбжьым ит сабий 40-м нэблагъэ. 2005 гъэм ансамблым къыхуагъэфэщауэ щытащ «Щапхъэ зытрах» цIэ лъапIэр. Гуп цIэрыIуэщ «Кавказ» ансамблыр. Творческэ лъагапIэ инхэм хущIэкъуу къэгъуэгурыкIуэ мы гупым ныбжьыщIэ 80 хуэдиз къызэщIеубыдэ (илъэси 6 — 14 зи ныбжьхэрщ хэтыр), куэдым фIыуэ ялъэгъуа къэфакIуэ цIыкIу Къалмыкъ Тамерлан зыхэтыр мы ансамблырщ. Лъэпкъ къафэхэм къадэкIуэу, фестивалым щагъэлъэгъуащ спорт, бал къэфэкIэхэри. Прохладнэ къалэ щылажьэ «Блюз» ансамблым «дызыхиша» вальсыр щIэщыгъуэт, дахэт. Я щыгъынкIэ, я макъкIэ нэр, псэр зыхьэхуахэм ящыщт «Созвездие» цIыхубэ уэрэджыIакIуэ студиери, Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щылажьэр. ЛIэщIыгъуэкIэрэ къэгъуэгурыкIуа къафэхэр, уэрэдхэр цIыхубэм ихъумащи, абы и мыхьэнэр къызыгурыIуэ щIэблэ ноби дызэриIэр фIыгъуэщ. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24982.txt" }
Жыжьэ — гъунэгъу
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25003.txt" }
Нобэ 2004 гъэм Москва и метром щалэжьа щIэпхъаджагъэм хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. Абы щыгъуэ цIыху 39-рэ хэкIуэдат, 134-р уIэгъэ хъуат. 1918 гъэм Урысейр григориан махуэгъэпсым зэрыхуэкIуэмкIэ декрет къыдэкIащ. 1935 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблым Советхэм я VII съездым и делегатхэм папщIэ Москва и Театр Иным концерт щитащ. Илъэс 70-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Курган областыр къызэрагъэпэщащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Тэмазэ Маржэнэт къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 — 4, жэщым 1 — 4 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25005.txt" }
ХъыбарыщIэхэм телевиденэм и каналитIкIэ феплъ «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК» къэрал щэнхабзэ IуэхущIапIэм къызэIуихащ «ХъыбарыщIэхэр» проектыщIэр. Махуэ къэс сыхьэт 21.40-м щыщIэдзауэ КъБР-м исхэр еплъыфынущ республикэм и социально-экономикэ, жылагъуэ-политикэ гъащIэм къыщыхъуахэм ятеухуа хъыбарегъащIэ программэм. Абы хиубыдэу къатынущ репортажхэр, экспертхэм, аналитикхэм, социологхэм, политологхэм, республикэм и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэм я къэпсэлъэныгъэхэр. Проектыр лажьэу яутIыпщащ республикэм и телеканалыр иджырей зэманым къигъэувхэм езэгъыу егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ А. Б. къигъэува къалэным ипкъ иткIэ. А лэжьыгъэр зыхуэунэтIар къэрал телевиденэр сыхьэт 24-кIэ лажьэу щIынырщ икIи бжыгъэхэр и лъабжьэу эфирым щылажьэ япэ мультикомплексым республикэм и телевиденэр хегъэубыдэнырщ. «Республикэм исхэм яIэн хуейщ жэщми махуэми лажьэ икIи цIыху гуп псоми ятещIыхьа программэхэр къэзыт канал. Абы и лэжьыгъэр нэгъэсауэ, зэфIэкI хэлъу къызэригъэпэщыпхъэщ», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм. 2013 гъэм мазаем и 1-м къыщIидзауэ FM диапазоным щолажьэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК» радиори. Абы лъандэрэ республикэм исхэр Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и программэм бзищкIэ — урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ — йодаIуэ. Радиор жэщми махуэми лажьэу зэтрагъэувэну я мурадщ. ЗэкIэ программэхэр къат сыхьэти 7-м щыщIэдзауэ сыхьэт 19-м нэсыху. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25009.txt" }
КъБР-м и телевиденэмрэ радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, мазаем и 11 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Скульптор насыпыфIэ». Мамоновэ Светланэ (12+) 7.35 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 7.55 «Си лъахэ». Къармэхьэблэ гуэлхэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.20 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 «УэрэджыIакIуэ». Жанатаев Исмэхьил. Япэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.40 «КъБР-м и Парламентым» 19.25 Мультфильм 19.40 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.10 «Зэманымрэ цIыхумрэ». «Сябры» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и тхьэмадэ Сидорук Павел 20.40 Классикэ макъамэм и концерт. Дунейпсо, республикэ зэпеуэхэм щытекIуа Казаков Александр (12+) 21.10 « ХьэщIэщ» (адыгэбзэкIэ) (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, мазаем и 12 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Кавказ» къэфакIуэ гупымрэ (Абхъаз Республикэ) «Симд» гупымрэ (Осетие Ипщэ) я концерт. Япэ Iыхьэ (12+) 8.05 «Унагъуэ». Джэрпэджэж къуажэм щыпсэу Моллаевхэ я унагъуэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.35 «Псалъэм и къарур». Дунейпсо литературэм и классик Сейфетдин (Хьэткъуэ) Умар и творчествэм теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «УэрэджыIакIуэ». Жанатаев Исмэхьил. ЕтIуанэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.30 «Анэбзэр ныкъуэ ипщIыкIмэ, къомэщIэкIынущ» (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.25 Мультфильм 19.35 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 19.50 «Сэрэ Кавказымрэ». УсакIуэ Къэшэж Иннэ и фэеплъ пшыхь (16+) 20.35 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ». Иджырей къэрэшей-балъкъэрыбзэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа «стIол хъурей» (16+) 21.05 «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ». Композитор Тхьэбысым Умар (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, мазаем и 13 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Кавказ» къэфакIуэ гупымрэ (Абхъаз Республикэ) «Симд» гупымрэ (Осетие Ипщэ) я концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 8.00 «Тайм-аут». Спорт тележурнал 8.15 « Ойнай, ойнай…». ГушыIэ программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.30 «ФIым телэжьэн». УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ ЖьакIэмыхъу КIунэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «КъБКъУ. Махуэшхуэ концерт» 19.25 Мультфильм 19.45 «Перспектива». КъБР-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэм теухуауэ. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Пётр 20.05 «ЗэчиифIэхэр». Уэрэдус, уэрэджыIакIуэ Трамовэ Любэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.35 «Узыншагъэ». 2-нэ къалэ клиникэ сымаджэщыр 21.00 «Республикэм хуэгъэзауэ». Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Кладько Игорь 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, мазаем и 14 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «IэщIагъэлIхэр». Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м щIыхь зиIэ и метеоролог Аджиев Анатолэ 7.30 «Меркурий» театрым и концерт (12+) 8.15 «Анэдэлъхубзэ — лъэпкъым и гупсэ». ТхакIуэ Жолабов Узеир (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.45 «Кхъужьгъэжей». Къэжэр Пётр и пьесэм къытращIыкIа макъамэ таурыхъ (адыгэбзэкIэ) (6+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.10 «Гъуазджэм и бзэкIэ». СурэтыщI Индрис Залымхъан (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.25 Хэку зауэшхуэм и ветеран Лобанов Борис 19.25 «ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу». Сабий сымаджэхэм ядэIэпыкъуным теухуауэ (12+) 19.40 КъБР-м и къэрал филармонием и симфоническэ оркестрым и махуэшхуэ концерт. Япэ Iыхьэ (12+) 20.15 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан (16+) 20.55 «Уста». Арджэн зыщI IэпщIэлъапщIэ Бозиевэ Мэржан (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 21.15 «КъэкIуэнур зейхэр» (адыгэбзэкIэ) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, мазаем и 15 7.00 Мультфильм (6+) 7.05 «Зэхэкуэгъухэр». Башкир къэрал щIалэгъуалэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ Кульбаев Мусалим (12) 7.30 Созаруков Нурий и усэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.05 «IэщIагъэлI» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.35 «Лъэпкъыр зэкъуэтмэ…». Бажэхэ я лъэпкъыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «ЕгъэджакIуэ». Коммодов Геннадий 18.25 «ЛIэужь». ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.25 Мультфильм 19.35 «Спорт хъыбархэр». КъБР-м пауэрлифтингымкIэ и федерацэ 19.50 «Гъунапкъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.20 «Республикэм хуэгъэзауэ». Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Крецкий Евгений 20.50 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, мазаем и 16 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Бапинаев Зариф (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.50 «ГъащIэ гъуэгуанэ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къардэн Борис (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.25 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 17.25 Мультфильм 17.50 « Ретроспектива». «Я тебя никогда не забуду». Телефильм 18.35 «Нэхумрэ ныбжьымрэ». СурэтыщI Мамоновэ Светланэ и сурэтгъэлъагъуэм къратыкI репортаж (16+) 19.05 «ЩIэуэ хагъэхьахэм къапэщыт къалэныщIэхэр». КъБР-м и жылагъуэ палатэм и унафэщI Тау Пщыкъан 19.40 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 20.00 ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 20.15 «Гум къиIукI уэрэд». Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэ Къул ФатIимэ 20.45 «Республикэм щыхъыбархэр» (адыгэбзэкIэ) 21.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, мазаем и 17 7.00 Мультфильм (6+) 7.25 «Макъамэм и дуней». Пшынауэ Османовэ Людмилэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.55 «Адыгэ шхыныгъуэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.25 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.50 Мультфильм 17.00 « Ретроспектива». Пушкин Александр и тхыгъэм къытращIыкIа «Шэрджэс бзылъхугъэ» телефильмыр 18.10 Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ округым дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэм къратыкI репортаж 18.40 «Автограф». КъБКъУ-м и студент советым и унафэщI Лу Азэмэт 19.15« Лъэхъэнэ» Булатов Юруслан (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.45 «Нэхъыщхьэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ». Категорие нэхъыщхьэ зиIэ дохутыр Байчоров Борис зыхэт нэтын 20.10 «Псыпэхэш». Щауэжь Елмырзэ къызэралъхурэ илъэси 115-рэ щрикъум ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, мазаем и 11 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын. 21.15 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр. Гъубж, мазаем и 12 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын. 9.30 «Макъамэ пощт». 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «Литературэм и лъахэ» программэр. 21.10 «Зэманым и лъэужь» программэр. Бэрэжьей, мазаем и 13 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 Ретро ТВ. Рахаев Исмэхьил. «Расплата». Телеспектакль (балъкъэрыбзэкIэ) Махуэку, мазаем и 14 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «Нобэ япщэфIхэр». 9.30 «Макъамэ пощт». 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей». «Кабардинка» къэфакIуэ гупым я япэ пшынауэ Уэрэзей Лидэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу (адыгэбзэкIэ). 21.10 «Лъагъуныгъэм дунейр къригъэлынущ». Мэрем, мазаем и 15 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр. 20.40 «ВОЯЖ» программэр. Щэбэт, мазаем и 16 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 10.05 «Нобэ япщэфIхэр». 10.35 «Макъамэ пощт». Тхьэмахуэ, мазаем и 17 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр». 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. КъБР-м и радио Блыщхьэ, мазаем и 11 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00/18.05 «Гум и къеуэкIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «КъежьапIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, мазаем и 12 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.53/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди зэманыр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «УэрэдкIэ йохъуэхъу» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Дэтхэнэри щIыхьэну хуит ящI» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/14.30 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, мазаем и 13 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Гум и къеуэкIэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «ЦIыхухэмрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, мазаем и 14 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди зэманыр» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 9.35/17.30 «Макъамэ» (урысыбзэкIэ). 9.44/17.42 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 «Си хэку — си уэрэд». Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.45/11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Чепелеу фрегъэблагъэ». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 12.25/18.30 «Дэтхэнэри щIыхьэну хуит ящI» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Пшыналъэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, мазаем и 15 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.32 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, мазаем и 16 7.00/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «ЛIэщIыгъуэхэр зэпищIэу» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Айсурат». ЦIыхубзхэм папщIэ радиожурнал (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и щIыналъэм» (урысыбзэкIэ). 10.00 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.30 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00/14.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, мазаем и 17 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.40/8.00 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Гум и къеуэкIэ» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ). 10.40/11.00 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35/14.00 «Укъызыдэфэ хъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25016.txt" }
Къулыкъур цIыхугъэ хэлъу зэIэпытхынущ Дагъыстаным и президенту щыта Магомедов Магомедсалам жэуап къритащ «Комсомольская правда» газетым и лэжьакIуэр зыщIэупщIахэм. — Уэ 2010 гъэм и мазаем Дагъыстаным и президенту уагъэувауэ щытащ. Абы лъандэрэ илъэсищ дэкIащ. Сыт пхузэфIэкIа? — Сэ къызолъытэ а зэманым дэ зыкъом къыдэхъулIауэ. ЩытыкIэр зыкIи ещхьыжкъым 2010 гъэм, хэбгъэзыхьмэ, 2011 гъэм щыIам. Иужь илъэсхэм ди деж хэпщIыкIыу нэхъ мащIэ щыхъуащ террорист унэтIыныгъэ зиIэ щIэпхъаджагъэхэр. — Абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэр къыпхуэхьыну? — Псалъэм и хьэтыркIэ, нэгъабэ террорист щIэпхъаджагъэу ялэжьар тIу къудейщ, абы щыгъуэми абыхэм я бжыгъэр 2010 гъэм 10, 2011 гъэм 8 хъурт. Дауи, зэгугъун хуей къалэнхэр щыIэщ. Абыхэм ящыщу нэхъ ин дыдэр зыпыщIари экстремизмэмрэ терроризмэмрэщ. Ауэ дэ зыкъом тхузэфIэкIащ цIыхухэм я зэхэщIыкIыр къэтIэтын и лъэныкъуэкIэ. — Экономикэр-щэ? — Улахуэм хуэдэ зырэ ныкъуэкIэ хэхъуащ. Дэ тлъэкIащ нэгъабэ республикэм и экономикэм инвестицэу сом меларди 150-рэ къыхедгъэлъхьэн. IуэхущIапIэшхуэ дыдэхэу зыбжанэм лэжьэн щIадзащ. ПсэупIэу метр зэбгъузэнатIэ мелуанрэ мин 500-рэ 2012 гъэм духуащ. Ар Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм псоми зэхэту ящIам нэхърэ нэхъыбэщ. А бжыгъэр Урысейм щынэхъыфIхэм ящыщщ. Ауэ сэ схужыIэнукъым ди лэжьыгъэм щыщIэныгъэхэри хэмылъауэ. — Сыт атIэ къывэмыхъулIар? — ЩIызгъужынщи, жылагъуэр нэхъыфIу зэгурыIуэ хъуащ, дин зэпэщIэтыныгъэм кIэ еттащ. — Сэ сызыхуейр фхузэфIэмыкIахэр къызжепIэнырт. — ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зи гугъу тщIы къалэнхэр апхуэдэ пIалъэ кIэщIым и кIэм нэсу пхузэфIэгъэкIынукъым: — Мы упщIэр уэ, дауи, уигу ирихьынукъым: Сыт уэ уи къулыкъум утекIын хуей щIэхъуар? — Сэ сытекIыным теухуа унафэр къэтщтащ лъэныкъуитIри дызэгурыIуэри. Сэ Путиным сыхуэпэжщ гукIи псэкIи. Абы нэхъ фIэкъабылщ мы лъэхъэнэм сэ Москва сыщылэжьэныр. Сэ ар щIыхьышхуэу къызолъытэ. — Уи псалъэхэм ятепщIыхьмэ, уэ Путиным къыбжиIащ уи къулыкъум утекIыну? — Пэжщ. — Сыт щхьэусыгъуэу ищIар? — Унафэр къэзыщтар езыращ. Республикэм нэгъуэщI Iуэху гуэрхэри щызэфIэгъэкIын хуейуэ къыщIэкIынщ. Си лэжьыгъэмрэ щIэныгъэмрэ Москва лей щымыхъуну къысщохъу. Си гугъэщ мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр щыIэн хуейуэ. — Президентымрэ уэрэ фытепсэлъыхьа Администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэм и къулыкъум упэрыхьа иужь узэлэжьынухэм? — ЗэкIэ дытепсэлъыхьакъым. — Уэ дауэ къыпщыхъуа Абдулатипов Рэмэзан уи пIэкIэ зэрагъэувар? — Сэ абы къемызэгъ гуэри хэслъагъуэркъым. Президентым Абдулатиповыр къыхихащ. Ар Iуэхум хэзыщIыкI цIыхущ. Си гугъэщ, дэ дызэдэлэжьэну, дызэдэIэпыкъуну. — УнафэщIхэр зэрызэрахъуэкIам республикэм щытыкIэр щызэщIимыгъэплъэну пIэрэ? — ЩызэщIигъэплъэнукъым. Дэ дыхущIэкъунущ къулыкъур зэпIэзэрыту, цIыхугъэ хэлъу зэIэпытхыну. Республикэм исхэр псори дызэроцIыху. Абы къыхэкIыу, дызыпэмыплъа гуэри къыкъуэкIын хуейкъым. Гамов Александр. «Комсомольская правда».
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25018.txt" }
Гъуазджэм и лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр Опереттэ жанрым Кальман Имре (и цIэ-унэцIэ дыдэр — Коппштейн Иммерихщ) хуищIа хэлъхьэныгъэм хуэдэ иджыри къыздэсым зыми къехъулIакъым. Венгр композиторым и опереттэ 17-м я нэхъыбэр уахътыншэу къалъытэ. МылъкукIэ унэхъуеиншэ хъунукъым жаIэ, ауэ Имре ахъшэр зэрыхуримыкъур аращ композитор зызыгъэбэлыхьхэм Iумпэм ящI опереттэм зритын хуей щIэхъуар. ИкIи ар къэпцIакъым. Композиторыр илъэс 25-рэ хъуа къудейуэ арат и япэ опереттэр («Осенние маневры») Будапешт 1908 гъэм щыщагъэлъэгъуам. Абдеж щегъэжьауэ Европэм цIэрыIуэ дыдэ щыхъуащ Кальман Имре. Ар 1953 гъэм дунейм ехыжащ, ауэ и IэдакъэщIэкIхэм иджыри ныбжь къытридзакъым. Композиторым и фэеплъ куэд Австрием, Венгрием щыIэщ, уеблэмэ абы и сурэт зытет пощт маркэ ящIащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25021.txt" }
Мы махуэхэм Мазаем и 7, махуэку 1855 гъэм Курилхэмрэ Сахалинрэ зэдэгуэшыным теухуауэ Урыс-Япон зэгурыIуэныгъэм Iэ традзащ. Гренадэм и лъэпкъ гуфIэгъуэшхуэщ — щхьэхуит щыхъуа махуэщ. Мазаем и 7 — 8-хэм Брюссель (Бельгие) щызэхэтынущ Европэ советым и сессие. Абы хэтынущ а щIыналъэм хыхьэ къэралхэм я унафэщIхэр. КъБР-м и цIыхубэ артист Ашуров Танахум къызэралъхурэ илъэси 123-рэ ирокъу. УсакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик Бэлагъы Любовь къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 — 4, жэщым 1 — 3 щыхъунущ. Мазаем и 8, мэрем Урысей щIэныгъэм и махуэщ. 1724 гъэм Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академиер къызэрагъэпэщащ. 1943 гъэм советыдзэхэм Курск къалэр фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. 1928 гъэм къару игъуэтащ Женевэ къыщащта прото- колым. Къэрал 37-рэ абы щыгъуэ зэгурыIуауэ щытащ щхъухь зыхэлъ, Iур щызыубыдыкI, нэгъуэщI апхуэдэ газхэр зауэм къыщамыгъэсэбэпыну. Урыс химик цIэрыIуэ, еджагъэшхуэ Менделеев Дмитрий къызэралъхурэ илъэси 179-рэ ирокъу. Химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щауэ Iэбубэчыр и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 — 6, жэщым 0 — 2 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25025.txt" }
ЕхъулIэныгъэщIэхэр иIэну Адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, кинопродюсер Бэлагъы Любэ къыщалъхуар Дзэлыкъуэкъуажэ хыхьэ Каменномост (Къармэхьэблэ) жылагъуэрщ. Илъэсий хъуауэ арат абы и сабий усэхэр район газетым къытехуэ щыхъуам. Къыхэгъэщыпхъэщ мыри: «Къудамэ закъуэ» зыфIища и япэ усэ тхылъыр бзылъхугъэм тхылъ тедзапIэм щихьам и ныбжьыр илъэс 16 хъууэ аркъудейт. Лермонтов Михаил хуэгъэза усэр зи пэублэ тхылъыр дунейм къытехьащ 1991 гъэм. Любэ къиухащ Ломоносовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетым и журналистикэ факультетыр, ар филологие щIэныгъэхэм я докторщ, Урысейм и ТхакIуэхэм я союзым, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием хэтщ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым тхакIуэ ныбжьыщIэхэм папщIэ иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм и саугъэтыр къыхуагъэфэщащ, «Адыгэ псалъэ» республикэ газетымрэ Дунейпсо Адыгэ фондымрэ я саугъэтхэми я лауреатщ. Бэлагъы Любэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ тхылъ хьэлэмэт куэд, усэу тха романхэр, литературэ, публицистикэ тхыгъэ щхьэхуэхэр. Ахэр къыщыдэкIащ Урысейми, США-ми, КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми. Бзылъхугъэм IэщIыб ищIкъым тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ. Грозный Иван, пащтыхь гуащэ Марие, нарт гуащэ Сэтэней сымэ я деж къыщыщIэдзауэ иджырей цIыхубзым и шыфэлIыфэмрэ и дунеймрэ зи тхыгъэхэм щызэфIэзыгъэувэ Любэ и гуащIэр инщ. Бэлагъы Любэ псалъэ гуапэ куэди хужаIащ. «1990 гъэхэм я гугъу тщIымэ, Кавказ Ищхъэрэм и усакIуэхэм къахолыдыкI Бэлагъы Любэ. Анэдэлъхубзэмрэ Хэкумрэ яхуиIэ лъагъуныгъэр къызэриIуатэ псалъэхэр шэрыуэщ, купщIафIэщ» (Урысейм и ТхакIуэхэм я союзым и правленэм и унафэщI Ганичев Валерий). «КъызыхэкIа лъэпкъым и блэкIамрэ абы и лъабжьэр къыщежьэмрэ псэкIэ зыхищIэну дауэ къехъулIэрэ мы бзылъхугъэ щыпкъэм? Дэнэ кърихрэ къару лъэщкIэ гъэнщIа и псалъэхэмрэ гупсысэ купщIафIэхэмрэ… ЖыпIэ хъунущ, япэIуэкIэ ита классикхэм хаша лъагъуэм Бэлагъы Любэ ирикIуэу. Ар усакIуэ телъыджэщ» (УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым и япэ секретарь Ляпин Игорь, 2002 гъэ). «Гу къабзэрэ псэ къулейрэ зиIэ цIыхум дуней псор хузэIухащ. Апхуэдэщ Бэлагъы Любэ. Ар усакIуэ Iэзэщ, зи псалъэмкIэ лъагъуныгъэри гугъуехьри зыхозыгъэщIэфщ» (Балъкъэр усакIуэ Моттаевэ Светланэ, 2004 гъэ). Бэлагъы Любэ и «Гуащэнэ» романыр (урысыбзэкIэ щызэрадзэкIым «Царская любовь» фIэщыгъэр игъуэтащ) щIэщыгъуэщ. Сэ сызэреплъымкIэ, тхыгъэм абы щызэфIигъэуващ адыгэ лъэпкъым и гъащIэ щIэнгъуазэр (усакIуэ, критик Переяслов Николай). ТхакIуэ Иванов Геннадий «День литературы» газетым (Москва, 2004 гъэм и мэлыжьыхь мазэм, №4-м) щитхауэ щыта «Поэзия наших дней» тхыгъэм къыщыхигъэщащ Бэлагъы Любэ и творчествэм гупсысэ зэрыщIэлъыр, ар усакIуэ пажэхэм яхэбгъэхьэ зэрыхъунур. Бэлагъы Любэ и Iэдакъэм къыщIэкIащ мыпхуэдэ тхылъхэр: «Къудамэ закъуэ» (Налшык, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэ, 1991 гъэ), «Мывэ сэрей» (Налшык, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэ, 1997 гъэ), «Дыгъэм и гъуэгу» (Иордание, Налшык, 2000 гъэ); «Молюсь я на адыгском языке…» (Москва, «Голос- пресс», 2002 гъэ), «Гуащэнэ» — усэбзэкIэ тха роман (Налшык, 2005 гъэ), «Царская любовь» (Москва, 2007 гъэ) «ГъэунэхупIэ» (2008 гъэ), «The Empress» (USA, Wingspan, 2008 гъэ), «I say my prayers in Circassian» (USA, Wingspan, 2008 гъэ), нэгъуэщIхэри. Дохъуэхъу и гъащIэкIи и лэжьыгъэкIи усакIуэр ефIэкIуэну.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25028.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Олимп мафIэм и эстафетэ Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и вице-премьер Уэзы Мурат иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ 2014 гъэм и Олимп Джэгухэм я мафIэр республикэм зэрыпрахынур зэрыщекIуэкIыну щIыкIэм, абы зэрызыхуагъэхьэзырым. Уэзы Мурат зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ Олимп мафIэм и эстафетэр республикэм пщIэ иIэу щекIуэкIын зэрыхуейр, мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм иджыпсту зыубгъуауэ зыхуэгъэхьэзырыным зэрыщIэдзапхъэр. УФ-м и субъектхэм Олимп, Паралимп мафIэхэр щызэIэпахыныр зэрекIуэкIынухэм я проектхэм я унафэщI Кузнецов Дмитрий зэпкърыхауэ къытеувыIащ эстафетэм и мурад нэхъыщхьэм, къызэгъэпэщыныгъэ Iуэхухэм ящыщу гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэхэм. «Сочэ-2014»-м и Олимп мафIэр махуи 123-кIэ Урысейм и щIыналъэ 83-м кIуэцIрыкIынущ. Псори зэхэту километр мин 65-м щIигъу гъуэгуанэ къызэранэкIынущ автомашинэхэмкIэ, мафIэгухэмкIэ, кхъухьлъатэхэмкIэ. ХэкIыпIэфI мэхъу Адыгей. Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий лъакъуэрыгъажэ спортымкIэ олимп резервхэр щагъэхьэзыр республикэ сабий-ныбжьыщIэ школым щыIащ. Абы Урысейм велоспортымкIэ и федерацэм и лIыкIуэхэр Адыгейм къызэрыкIуэнум щытепсэлъыхьащ. Сабий-ныбжьыщIэ школым нэхъри зрагъэубгъуну, ухуэныгъэщIэхэр ирагъэкIуэкIыну я мурадщ IуэхущIапIэм и унафэщIхэм. а жэрдэмыр республикэм и Iэтащхьэм диIыгъащ. «Лъакъуэрыгъажэ спорт лIэужьыгъуэр куэдкIэ къызэгъэпэщащ, абы къыдэкIуэу апхуэдэ школхэм егъэджэныгъэ, мылъку я лъэныкъуэкIэ заужьын папщIэ тхузэфIэкIымкIэ зыщIэдгъэкъуэнщ. Сабий псори Олимп чемпион мыхъуми, нэхъыщхьэр зэдгъэхъулIэфынущ: ар щIалэгъуалэр физкультурэмрэ спортымрэ къыхэшэнырщ, уэрамым ахэр къыдэмынэнырщ», — жиIащ ТхьэкIушынэм. Лъакъуэрыгъажэ спортымкIэ федерацэм къызэрилъытэмкIэ, абы Урысейм зыщегъэужьынымкIэ Адыгейр хэкIыпIэфIщ. Мыгувэу абы и лIыкIуэхэр республикэм еблэгъэнущ икIи ТхьэкIушынэм щIыгъуу тепсэлъыхьынущ лъакъуэрыгъажэ спорт базэ а щIыналъэм щыухуэным. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25031.txt" }
Бюджетым хэплъащ Дыгъуасэрей махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен хухихащ республикэ бюджетым щыгъуазэ зыщIынымрэ абы елэжьынымрэ. Ар гъэ кIуам и бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам теухуауэ КъБР-м финансхэмкIэ и министр КIэрэф Мурат ищIа отчетым едэIуащ. Республикэм и УнафэщIыр хэплъащ илъэс псом бюджет ахъшэр зэрытегуэшамрэ ар мазэ къэс тещIыхьауэ къагъэсэбэпыну зэрамурадымрэ. Къанокъуэ Арсен зэрыжиIамкIэ, бюджетыр мазэ къэс тещIыхьауэ щызэпаудкIэ егупсысыпхъэщ ар гъэзэщIэнымкIэ къыкъуэкIынкIэ хъуну гугъуехьхэми хэкIыпIэщIэхэми. Апхуэдэу абы зэпкърыхауэ щыгъуазэ зищIащ хэщIхэм я лъэныкъуэкIэ статья псоми къыщыгъэлъэгъуахэм. «Дэтхэнэ сомри зытрагъэкIуэдэну я мурадыр IупщIу къэгъэлъэгъуэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, къыхэгъэщыпхъэщ гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным е социальнэ IуэхущIапIэхэр щIыным нэхъыбэ дыдэу хуаутIыпщынур зыхуэдизыр», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм. Къанокъуэ Арсен щIыгъуу 2013 гъэм КъБР-м и бюджетым хэплъащ икIи елэжьащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэхэу Марьяш Иринэрэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэдрэ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25033.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Фэ фщIэрэ? Псалъэхэм я мыхьэнэр Адыгэ фащэ. Адыгэхэм зэрахьэ лъэпкъ щыгъыныгъуэ хэхахэр (адыгэ цей, адыгэ цIыхухъу, бзылъхугъэ фащэ, н.) къызэщIеубыдэ. Ипэ зэманым адыгэхэм зэрахьэу щыта фащэ дахэр нэгъуэщI лъэпкъхэми къащтауэ къекIуэкIащ. Иджы ар нэхъыбэу щыщатIагъэр фызышэм, хьэгъуэлIыгъуэм е махуэшхуэ гуэр щагъэлъапIэм дежщ. Ажэгъафэ. Адыгэ нысашэр, хьэгъуэлIыгъуэр гушыIэкIэ, ауанкIэ зыгъэдахэ, ажэ теплъэ иIэу хуэпа цIыху. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэм деж, нэхъ гушыIэрейуэ, псэлъэным хуэIэзэу зы цIыху къыхахырти, абы фэ зытрырагъэубгъуэрт, и напэр къыщIэмыщу шIрагъэхъумэрт, бжьакъуэ трагъэувэрти, къызэхуэсахэр игъэнэжэгужэу хагъэтт. Ажэгъафэм сыт имыщIэми, сыт жимыIэми и гугъу зыми ищIыну хуиттэкъым. Ажэгъафэм иджырей хьэгъуэлIыгъуэхэми ущрохьэлIэ. Ажэгъафэ джэгу. Унэишэм, хьэгъуэлIыгъуэм, нэгъуэщI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм хэт хабзэхэм щыщщ. Ажэгъафэм махуэшхуэхэм кърихьэлIахэр зэрытригъэу, зэрадэгушыIэ щIыкIэм «Ажэгъафэ джэгукIэ» йоджэ. Ди зэманми екIуэкI хьэгъуэлIыгъуэхэми, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэми ущрохьэлIэ. Ахърэт джанэ. ЛIар щIэлъхьэным пыщIа хабзэхэм щыщщ. Хьэдэм джэбыныр кърамышэкI щIыкIэ абы Iэгъуапэ зыпымыт джанэ щатIагъэ. ЦIыхубзым и джанэр и жьэгъум къыщегъэжьауэ и лъапэм, цIыхухъум ейр и лъэгуажьэм нэсу ящI. Апхуэдэм «Ахърэт джанэкIэ» йоджэ. Батырыбжьэ. ЩIыхьэху щIыным епха хабзэщ. Зыгуэрым щIыхьэхукIэ мэкъу кърыригъэшыжамэ, пхъэ пригъэупщIамэ, н. къ., абы хэтхэм ящыщу нэхъ къыхэжаныкIам, япэ къэсыжам ехъуэхъурэ махъсымэ шынакъ ирату щытащ. А бжьэм «БатырыбжьэкIэ» еджэрт. ИужькIэ щIыхьэхум емылъытауэ зэфIэкI ин, лIыгъэ къэзыгъэлъэгъуа, зэхьэзэхуэм щытекIуа, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа цIыхум ират фадэбжьэми «БатырыбжьэкIэ» еджэ хъуащ. Башзэхэт. Лэжьыгъэм, Iэщ гъэхъун IэнатIэм ехьэлIа хабзэхэм епха псалъэщ. Адыгэхэм къызэралъытэмкIэ, зы мэлыхъуэ лъакъуэубыдым (башым) хуэзэу щытын хуейт мэл 400 — 500. Ауэ ар хъушэ ирикъуртэкъым, абы щхьэкIэ а бжыгъэр хуэдитI-щыкIэ нэхъыбэн хуейт. Абы къыхэкIыу апхуэдиз мэл бжыгъэ зиIэ унагъуэхэр зэгухьэрти, хъушэ къызэрагъэпэщырт. Ар зы мэл пщыIэу ябжырт, гъэмахуэ хъупIэхэм щыкIуэкIи зэгъусэт. Апхуэдэу зэгухьа мэлыхъуэхэм «БашзэхэткIэ» еджэу щытащ. Башхуэпа. НысащIэр дыщасэ яшэжауэ и дыщым щыщыIэм деж, и пщыпхъу, пщыкъуэ кIуэуэ ялъагъу хабзэт. Лъагъунлъагъу кIуэхэм унагъуэм ис цIыкIухэм иратыну бэлътоку, мажьэ, дыху-сабын, нэгъуэщI хьэпшып цIыкIуфэкIухэр башым кIэрыщIауэ здахьырт. Мы хабзэр Аруан районым нэмыщI адрей щIыпIэхэм щызэрахьэу щытакъым. Думэн Хьэсэн. Прозэу тха усэхэр ХэтщIыкIыу пIэрэ? Си лэжьэгъу цIыхубз гуэрым и фIэщыпэу: -УкъысщIэнэкIэнуми ухуитыжщ, ауэ дыгъуасэ лъандэрэ IупщI дыдэу си нэгу къыщIыхьэжащ… — Сыт къыщIыхьэжар? — Илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ… сэ сыпсэууэ щытащ сынэгъуэщI цIыхуу. НэгъуэщI хэку сыкъыщалъхуауэ. НэгъуэщIыбзэкIи сыпсалъэу. Иджы сыщхьэмыгъуэжьу си закъуэмэ, абы щыгъуэ фIы дыдэу слъагъуу зы шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIу сиIэт. Махуэм скIэрымыкIыу. Жэщ хъурэ гъуэлъыжамэ, и жьэгъу цIыкIум деж щабэу сыхуемытIэхъуауэ мыжеижыфу… Абы хэту зыгуэр ныщIыхьэри, ди псалъэмакъыр зэпыдгъэун хуей хъуащ. Сессие диIэу ди зэрызехьэгъуэти, дызэблэжу фIэкIа дызэрымылъагъуурэ, гъэ еджэгъуэр иухри, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэри къэсащ. Бжьыхьэр екIуэкIыу, дэри лэжьэн щIэддзэжауэ, а цIыхубз дыдэр къызбгъэдохьэ: — Зэ зыгуэр бжесIати… — ФIы дыдэу сощIэж. — Нэхъ гъэщIэгъуэныр къыщыхъур иужькIэщ… Гъэмахуэм Индием сыщыIащ сэ. — Ар зэхэсхат. — Щи, Бомбей и курыкупсэм дыдэту, дыкъызэрежьэжыну экспрессыр асыхьэтым къыIукIыну, гупыр къэзгъанэу сакъыхэмыкIыжынкIэ Iэмал имыIэу сыкъохъу. КIуэаракъэ, си псэм сыкърехуэкI, гузэвэгъуэр къызитауэ. Автобусым сыкъиувыкIащ иджы щыжысIэ дыдэм ирихьэлIэу маршынэ псынщIэ цIыкIу къос, къоувыIэри, зылI къокI – блэ и пщэм къешэкIауэ. Блэ гъуабжэ тхьэIухуд цIыкIу, пыжьынэ хъужу! Сэ зызмыщIэжу а блэ цIыкIумкIэ зызодз, езыми зыкъысхуеший. ЛIыри къэувыIащи, Iэнкуну щытщ, зыри жимыIэу къызоплъ. Сэ, ар къысфIэмыIуэхуххэу, блэ цIыкIум си Iэр хузоший, езыми и жьэгъур къысхуехьри, щабэу сыхуотIэхъу – а зы напIэзыпIэми Iурех, и щхьэ тIэкIур си Iэм къытрегъащIэри! ЛIыр къэуIэбжьащи, ищIэнур ищIэжыркъым; мыдэкIи автобусым ису хъуар, щхьэкIэ увыным нэсауэ, зэрызохьэ, зэрогъэкIий… Дауэ къыпщыхъурэ ар? P. S. Сытыт абы жэуапу естынур? Зыри жысIакъым — сщIэртэкъыми. Ярэби, фIыщэу дызыщыгъуазэу ди гугъэж мы дунейм зыгуэр хэтщIыкIыу пIэрэ дэ? Iуэхум и пэжыпIэр ПщIыхьым ещхьу IэфIт Гельдерлин и дунейр. Ар сыт щыгъуи нэхут. Сыт щыгъуи гуапэт. Гъыбзи, гыбзи, узи, лажьи щыземыкIуэу. Абы щыпсэу цIыхухэр псори хэлъэфауэ лъагэу. Лъагэми къыщымынэжу — лъатэу. Iужажи, фыгъуэнэди, хьэсыи, пхъаши яхэмыту. «ЗэфIэнэ», зэрыукI», «зэрыфыщI» псалъэхэр ямыщIэххэу. Лъагъуныгъэр — я уафэ щIэншэ щхъуэшрэ пшэ къыщытехьэр зэзэмызэххэу. Диотимэ и нэ фIыцIэ пIащэшхуитIыр — къуэмыхьэж дыгъэу — а уафэ щхъуэшым и курыкупсэм жэщи махуи къыщилыдыкIыу. Дауи, гупыкIыгъуейт апхуэдэ дунейр. Ар пхъуэж хъунт-тIэ уэрэ сэрэ фIыуэ тцIыху дунеймкIэ? Аращ Гельдерлин къыщыщIари: хуэхъуэжакъым. P.S. Iуэхум и пэжыпIэр къыщыпщIакIэ, Гельдерлин ехьэлIа мыфэмыц гуэр зэхэпхмэ, уи фIэщ умыщI. Къэжэр Хьэмид. ЖыIэгъуэхэр Гъунэ имылъам лъэр щIегъэху Ушынэу укIуэжмэ нэхъыфIщ, зыбгъэлIу уаукI нэхърэ. МыхъумыщIэ и щIыфэм фашхэ щодзэлашхэ. Нэхъыщхьэм еубзэурэ и бзэр иубыдащ. Еджа щхьэныкъуэ нэхърэ — емыджа щхьэ псо. Нобэ псори согъуэт жыпIэу зумыIэт. ЩIалэм ущытхъуу, жьы хъуам уечэнджэщынри щыуагъэкъым. ГъущI дыдэри мэхъуапсэ, сапсыхьарэт, жеIэри. ЦIыхухъу дэмысмэ, пщIантIэр сабафэщ, цIыхубзыншэмэ — зеиншэщ. Дохутыр IулъхьэIыхым жеIэ: «Уи IэмыщIэм илъым сегъэплъи, ухъужынрэ умыхъужынрэ бжесIэнщ» Лъэр щIэмыкIмэ, гур ныкъуакъуэкIэ сыт и мыхьэнэ? Гъунэ имылъам лъэр щIегъэху. И узыншагъэм махуэ къэскIэ тохъуэхъухь, зыIурикIэурэ щхъухь. ЖыпIэну узыхуейр жыпIэ мыхъумэ, абы нэхъ Iей сыт щыIэ? Зэуэ къулей хъуну хуейуэ Iуэхум зридзри, и дзэр Iуиудащ. Къардэн Мухьэмэд. Зэхьэзэхуэхэр ГъащIэ гъуэмылэ ЩIэныгъэ, техникэ IуэхухэмкIэ еджакIуэхэм зегъэужьыным телажьэ республикэ центрым (Налшык къалэ) илъэс къэс къызэригъэпэщ «Черкесский мир», «Моя родословная» зэхьэзэхуэхэр мазаем и 7 — 8-м иригъэкIуэкIащ. Республикэм и районхэм къикIа школакIуэхэм гъэщIэгъуэну, удихьэхыу я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр утыку кърахьащ. Зэпеуэр къызэзыгъэпэщахэм я мурадыр — Кавказым ис лъэпкъхэм я тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэхэр еджакIуэхэм куууэ егъэджыныр — къайхъулIащ. Литературоведение, лингвистикэ, культурологие, этнографие, тхыдэ, декоративно-прикладной гъуазджэ, лъахэхутэ, нэгъуэщI дерсхэмкIи ныбжьыщIэхэр зэхьэзэхуащ. Ахэр ныбжькIэ гуэшауэ щытащ, къэпщытакIуэхэм гулъытэ нэхъ зыхуащIар къыхаха Iуэхум мыхьэнэуэ иIэмрэ ар къызэраIуатэ щIыкIэмрэщ, апхуэдэуи я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпа Iэмалхэр къалъытащ. Гуапэт адыгэм къикIуа гъуэгуанэм, абы къыдэгъуэгурыкIуа хъугъуэфIыгъуэхэм дахьэхыу, еджакIуэ куэдым я къэхутэныгъэхэр абыхэм зэрытраухуар. Лэжьыгъэ хьэлэмэт игъэхьэзырат Бахъсэн къалэ и курыт еджапIэ №3-м и 9-нэ классым щIэс Сонэ Гелянэ. Шинкубэ Багърэт и «ЖылакIэ» романыр зэпкърызыха хъыджэбзыр жьакIуэуи тепсэлъыхьыжащ абхъаз-адыгэ лъэпкъыр зыпхыкIа Iуэхугъуэ гуащIэхэм. И къэхутэныгъэр къэпщытакIуэхэм ягу иримыхьыну Iэмал яритакъым а къалэ дыдэм и курыт еджапIэ №1-м и 7-нэ «В» классым щIэс ПщыхьэщIэ Дамир. Ар зытепсэлъыхьа «Шэр-джэс жыг хадэхэр» щIэщыгъуэт, щIэ куэд къызыхэпхынт. ДыщэхэкIхэмкIэ адыгэхэр зэрыIэпщIэлъапщIэм тепсэлъыхьащ Хъыжьрокъуэ Сэтэней (Бахъсэн курыт школ №8), езым япэу дыщэ IуданэкIэ хидыкIа тхыпхъэхэри игъэлъэгъуащ, а IэщIагъэм хэлъ щэху гуэрхэми къедаIуэхэр щигъэгъуэзащ. КъызэщIэпкъуэжмэ, гъэщIэгъуэнщ ныбжьыщIэхэм адыгэм и хабзэм, фащэм, шхыныгъуэхэм, къэкIыгъэхэм, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм теухуауэ жаIа псори. Нэхъыщхьэращи, зэпеуэм и фIыгъэкIэ абыхэм къащIар гъащIэ гъуэмылэ зэрахуэхъунум шэч хэлъкъым. БАГЪЭТЫР Луизэ. Сурэтыр Толгуров Камал трихащ. Псалъэжьхэр ЗыхуащIэ нэхърэ – зыхуэщIээ Зи ныбэ изым гуныкъуэгъуэ ищIэркъым. Гъунэгъу щIы кIапэ нэхърэ — жыжьэми губгъуэ. ЗылъэкI и джатэ кIыхьщ. ЗыхуащIэ нэхърэ — зыхуэщIэ. Зышэчым тралъхьэ, зыхьым тракъуэ. Насып зиIэм шыIэ иIэщ. Пщы зыфIэпщым пщылI къыпфIещ. Тет мыгубжьрэ дыгъужь мыдзакъэрэ щыIэкъым. Нэщэнэхэр Сабийр хущхьэрей хъуамэ… Сабийм и дзэр къыхэкIыху гъуджэ ирагъаплъэртэкъым, ар къэкIыгъуей мэхъу жаIэрти. Сабийр хущхьэрей хъуамэ, нэ техуауэ къалъытэрт. Уафэр и мычэзууэ гъуагъуэмэ, фIыкъым — мэкъумэшыр шэджэладжэ мэхъу жаIэрт. Ужьэ уи щIапIэ къихьэну фIыуэ къалъытэ. Уи хьэ дэкIыу кIуэдыну фIыкъым, жаIэ. ГукъэкIыж Гуужьымрэ выжьитIымрэ къезыгъэла лIыжь губзыгъэ Мазих нэблагъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыфыщIа нэмыцэдзэр Зеикъуэ къуажэм щыдахужым, абыхэм якIэлъежьащ ягъэдела, ядэлэжьа цIыху гуэрхэр. Полицэм и унафэщIу лэжьа Шидэ абыхэм я фIэщ ищIат бийр махуэ бжыгъэкIэ икIуэтыжу къигъэзэжыну. Къуажэр нэмыцэдзэм яубыда иужь колхозыр якъутэжри, бригадэхэм я пIэкIэ унагъуэхэр пщIырыпщIу зэгуагъэхьэурэ мылъкур трагуэшат. Ди унагъуэр зыхэт гупым и тхьэмадэр, къытлъыса зы выгу зэщIэщIар зэгъэбыдылIар Хьэжы Батырбэчт. Абы и пщэм иралъхьат къуажэм къахуэна гуужь закъуэри ихъумэну. Шидэ Батырбэч деж лIыкIуэ къищIащ выгу зэщIэщIам гуужьыр кIэрищIэу, ежьэнухэм къаритыну. Батырбэч лIыкIуэм жриIащ: «Сэ сыныдэкIынущ а выгу зэщIэщIам сису, лы хуей дыхъумэ дыукIыжыну гуужьри ныздыдэсшынущ». «ИгъащIэми лIыжь губзыгъэт ар», — жиIэри Шидэ къыщытхъуащ абы, хуахьа хъыбарым щыгуфIыкIауэ. Зи щхьэм дзыхь хуэзымыщIыж Шидэ и автоматыр и уанэ къуапэм фIэлъу, и кIэрахъуэшхуэр гуэлэлу кIэрыщIауэ Батырбэчхэ я пщIантIэм шууэ къыдэлъэдащ. Гур унэ бжэIупэ дыдэм деж Iутт. Абы шыуан, кIэструл, хьэжыгъэ къэп ныкъуэ, упщIэ, щIакIуэ, нэгъуэщI зыхуеину гуэрхэр илът. И гум къэкIа шэчыр кIуэдыжауэ Шидэ гуфIэу Батырбэч зыхуигъэзащ: «Тхьэр арэзы къыпхухъу, Хьэжы, дызэрыпщыгугъауэ укъыщIэкIащ, улIыжь губзыгъэщ. Къуажэм жэщу ныдэкI, Бахъсэн унэсмэ, гъуэгум сэмэгурабгъумкIэ дэдзыхи, Псыхуабэ лъэныкъуэмкIэ гъэш. Абдеж губгъуэшхуэм псори дыщызэхуэсынущи, закъыкIэрумыгъэху». Игу зэгъауэ Хьэжыхэ я пщIантIэм Шидэ къыщыдэжыжым лIыжьыр абы къыкIэлъыплъырт и нэ лъэныкъуэр щIиукъуэнцIауэ, и пащIэкIэ щIэгуфIыкIыу икIи игукIэ къыхужиIэрт: «А незбгъэшэжьэну узыщыгугъ гуу пэхужьым и акъылым хуэдизщ уэри уиIэр, былым». А щIыкIэм тету, Хьэжы жылэр зэзыпхъуэну зи гугъа Шидэ дэкум хуэдэу къигъапцIэри, выгу зэщIэщIари, къуажэм я гуу цIэрыIуэри зейм къахуигъэнэжащ. Къэрмокъуэ Мухьэмэд. Фи лъэIукIэ Сытхэр си Iэмал? Уэрэд Зэныбжьэгъухэми письмо ятх, Ныпхуэстхынути, сфIэгъунэгъущ. СынэкIуэнути, сфIэемыкIущи, Сытхэр си Iэмал? Мадилонри си бгъэгум илъщ, Жэщи махуи си гум уилъщ. Сэр нэмыщIкIэ уи гум илъри Хэт къызжиIэфын? Патифоныр стIолым тетщ, Узытетмэ щхьэ утекIа? Жагъуэгъу псалъэхэм уэ уедаIуэри, ДызэпыбгъэкIащ. Iэлъын цIыкIури Iэпэм покI, Уэрэ сэрэ дызэпокI. Псалъэ IэфIурэ зэжетIахэри Жьыбгъэм ихьыжащ! Пшынэ фIыцIэри сэ согъагъ, Бжьыхьэ жэщри гъынкIэрэ сохь — Умыгъ, — жыпIэурэ уэ уолъаIуэр Сытхэр си Iэмал? Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 7. Аруан районым щыщ адыгэ къуажэ. 8. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Хьэсэн. 10. КъурIэн цIыкIу. 11. ХадэхэкI. 13. Пхъэм къыхабзыкI бжэмышх цIыкIу. 16. Лъэсхэмрэ шухэмрэ зэрызэпеуэу щыта пасэрей адыгэ джэгукIэ. 19. Ди щIыналъэм щыIэ псыежэх. 20. … зэхэдзэ нэхърэ — Iыхьэ зэхэдзэ. 21. Джэду лъэпкъыгъуэм щыщ хьэкIэкхъуэкIэ ябгэ цIыкIу. 23. Щыгъын. 26. Нартыху гъэлыгъуа хьэжыгъэ. 27. ШыкъумцIий уд фызыжьыр псыхьэ зэригъэкIуа хьэкъущыкъу. 28. Пасэрей фоч. 31. Адыгэ композитор цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр зрата. 32. Лы гъэва зышхар абы ефэж хабзэщ. 33. Адыгэ лъэпкъ кIуэдыжа. 35. УнэлъащIэ. 36. Пасэрей шыгу. 41. Духьэ куэд зыщIэ цIыху. 43. Хьэцэпэцэм и щхьэкIэ. 45. Мысырым я президент. 46. Ди гъунэгъу лIыр апхуэдизкIэ гущIэгъуншэщи, гуауэ IууэкIи, и … хэхуауэ къыщыхъуркъым. 47. Гъуэгуанэ жыжьэ теувахэм нэхъапэм гъуэгум … ирадзырт, темызэшэн папщIэ. Къехыу: 1. … мыплъэмэ, нэр плъэркъым. 2. Зэгуамыгъэжу псэущхьэм траха фэ. 3. Ди унафэщIым зыгуэр щхьэкIэ селъэIуати, … сыкъищIакъым. 4. ЩIымахуэм е бжьыхьэ щIыIэм цIыхубзхэми цIыхухъухэми къагъэсэбэп щыгъын. 5. Жыг ку гъуанэр зи псэупIэ псэущхьэ кIэ баринэ. 6. ПшахъуэщI. 7. Шы дахэ … 9. ЩIакхъуапхъэ. 12. Псы, бгы бжьэпэ. 14. IэмыкIуэлъэмыкIуэ. 15. Зи пэр щимэу пылъыкIа мастэ пIащэ. 16. ЩIымахуэ … е гъэмахуэ …, е … бэлътоку. 17. Нартхэм я фадэр абы къыхащIыкIырт. 18. УемыIусэ — укъисынщ. 22. Граждан зауэм и лъэхъэнэм шэрихьэт полкым и командиру щыта Къатхъэн … . 23. Дзэлыкъуэ районым щыIэ адыгэ къуажэ цIыкIу. 24. Къуацэчыцэ. 25. ПсыпцIэ къуалэбзу лъакъуэ кIыхь, пщэ кIыхь. 29. Къамэ Iэпщэр зэрагъэщIэращIэ. 30. Хьэлыуэ … е зыгуэрым къыгуагъэжа Iыхьэ. 34. «НыбжьыщIэ …» — ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэ. 35. ГъэшхэкI. 37. … къесу уи унэ уимыкI. 38. Былымаблэ. 39. Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ щIалэ. 40. ПщIий къызыпыкIэ жыг. 42. Жылэр зыгъашхэр … щхьэкIэ малIэ. 44. ЛъэмыкIыу, цIыхум къыжьэдэкI макъ. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Мазаем и 2-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. Джэлам. 14. Мыдыгъу. I5. Гъуапэкъым. 16. МащIэм. 17. Мэлым. 18. Мылэжьэф. 19. Фызым. 20. Мэл. 21. Лашын. 22. НэуфIыцI. 23. ЦIраужь. 24. Жьым. 25. Малъхъэщ. 26. Бэракъ. 27. Къаз. 28. ЗыщIэн. 29. Нэд. 30. Дыгъужь. 31. Жьынду. 32. Уэсэпс. 33. Сигу. 34. Гупэрыщытхъу. 35. Хъуащ. 36. Щыкъу. 37. Бэдж. 38. Джэду. 39. Уэд. 40. Дыгъу. 41. ГъуэгурыкIуэм. 42. Мазэм. 43. Мэкъу. 44. Шыгъу. 45. ГъущIыпэ. И кумкIэ кIуэуэ: 1. БаIуэ. 2. НысащIэ. 3. Iэтэ. 4. Iэзэ. 5. Ныбжьэгъу. 6. Жэщу. 7. Шыпс. 8. Баринэ. 9. Iуэхур. 10. Даущ. 11. IумпIафIэ. 12. Джэгу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25039.txt" }
Бокс Мыкъуэ Алим нэхъ лъэщщ «Псыгуэнсу» спорт комплексым щызэхэтащ КъБР-м пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ. Республикэм и боксер нэхъыфIу 80 махуищкIэ ерыщу хущIэкъуащ текIуэныгъэр зыIэрыгъэхьэным, мы гъэм мэлыжьыхьым ди лъахэм щекIуэкIыну КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ зэпеуэм хэтыну Iэмал зрагъэгъуэтыным. Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым кърихьэлIащ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн, Аруан куей администрацэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Антемыркъан, Псыгуэнсу, Балъкъэр Ипщэ къуажэ администрацэхэм я унафэщIхэу Къанкъул Хьэчимрэ Атабиев Аслъэнрэ, «Лэгъупыкъу», «Эдельвейс» санаторэхэм я унафэщIхэу БжыкIший Сурэждинрэ Чеченов Муратрэ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм бжьыпэр щаубыдащ Бозиев Ислъам (Бабугент), Иуан Заур, Джыназ Къантемыр, Мэзыхьэ Резуан (Щхьэлыкъуэ), Исаратов Хьэмзэт (Тырныауз), Лэшкэн Залым, Мыкъуэ Алим, Хъром Залым (Псыгуэнсу), Ажджэрий Къантемыр (Налшык), Рэмэзан Аскэр (Урыху), Тэхъу Ислъам (Анзорей). «ТекIуэныгъэм зэрыхуэпабгъэм папщIэ» саугъэтыр Акъул Алим лъысащ. «Техникэ нэхъыфI къызэригъэлъэгъуам папщIэ» ягъэлъэпIащ Мэзыхьэ Резуан. «КъБР-м пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ зэпеуэм и боксер нэхъыфIу» къалъытащ Мыкъуэ Алим. Ахъшэ саугъэтхэр иратащ Исаратов Хьэмзэт, Къазий Къантемыр, Ажджэрий Къантемыр, Мыкъуэ Алим, Иуан Заур, Башиев Магомед сымэ. Зыгъэхьэзырар Теркъул Мартинщ. Дзюдо Красноярск кIуэну загъэхьэзыр «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа, илъэс 21-м нэс зи ныбжь щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зыхэта зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIа цIыху 300-м ящыщу 40-р Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэрщ. Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым кърихьэлIащ икIи къызэхуэсахэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн, Урысейм дзюдомкIэ и федерацэм и спорт унафэщI, Сидней щызэхэта Олимпиадэм жэз медаль къыщызыхьа Ларюков Анатолий, КИФЩI-м дзюдомкIэ и федерацэм и президент Бейкузаров Алик, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер, КъБР-м дзюдомкIэ и федерацэм и Iэтащхьэ Емкъуж Мухьэмэд сымэ. Гъатхэпэм и 12-16-хэм Красноярск щекIуэкIынущ Урысейм пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ зэхьэзэхуэм хэтынухэр къыщыхахыну зэхьэзэхуэ. Абы я зэфIэкI щагъэлъэгъуэну Iэмал ягъуэтащ КъБР-м щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрызыгъэхьа ди спортсмен ныбжьыщIэхэм. Ахэр дыжьын медалхэр къэзыхьахэу Джолабов Къайсын, Циканов Ислъам, Хъурсинэ Залым, Гъубж Мурат, бзылъхугъэхэм я деж япэ увыпIэр къыщызыхьа Нэгуэр Айданэ, ещанэ увыпIэр зылъыса Кожуховская Аннэ сымэщ. Ахэр я гъэсэнщ тренерхэу Шаваев Хьэнэпи, Щоджэн СулътIан, Емкъуж Мухьэмэд, Майсурадзе Альбер, Гъэунэ Анзор, Бунятов Алий-Заде сымэ. Къэмбэчокъуэ Албэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25044.txt" }
Кубокым дыхущIэкъунущ «Спартак-Налшыкыр» Тыркум къикIыжащ, иджы Кипрым кIуэну зегъэхьэзыр. Аргуэру ежьэным и пэ къихуэу дэ зыхуэдгъэзащ абы и тренер нэхъыщхьэ Шыпш Тимур икIи я Iуэху зытетхэм те-дгъэпсэлъыхьащ. — Тимур, сыт хуэдэ гукъыдэж фиIэу Тыркум фыкъикIыжа? Абы щывимурада псори къывэхъулIа? — Тыркум къалэну зыщыхуэдгъэувыжахэр дгъэзэщIащ: зыгъэсэныгъэхэм къадэкIуэу, зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр едгъэкIуэкIащ. Абыхэм дащыкIэлъыплъащ ди гупыр зыгъэлъэщыфыну дыщыгугъыу къедгъэблэгъахэми. — НтIэ, сыт къыдже- пIэфын абыхэм ятеухуауэ? — Ди жагъуэ зэрыхъущи, дызыхуэныкъуэм хуэдэ гъуащхьауэ лъэщ зэкIэ дгъуэткъым. Абы щыгъуэми, ар Iэмал имыIэу дызыхуейщ. ДызыщIэупщIэхэр хуабжьу ягъэлъапIэ. Адрейуэ дызыкIэлъыплъахэр дигу ирихьащ. Я агентхэр зэран мыхъумэ, зэгурыIуэныгъэхэр абыхэм етщIылIэнущ. — Ди щIалэгъуалэ гупым щыщу щIалэ зыбжанэми Тыркум фащыкIэлъыплъащ. Ахэр дауэ къыфщыхъуа? — Дэ къыдгуроIуэ ахэр командэ нэхъыщхьэм хэбгъэхьэну иджыри зэрыпасэIуэр. Зыгъэсэныгъэм щIыздэтшар я зэфIэкIыр здынэсыр зэдгъэлъагъуну, тактикэ и лъэныкъуэкIэ зэрыхьэзырыр зэдгъэщIэну арат. — Абыхэм ящыщу хэт сымэ Кипрым здэфшэнур? — ТыIэщымрэ ЛIупымрэ. — Тыркум щевгъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм къарикIуахэм арэзы фыкъащIа? — Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми текIуэныгъэм дыщыхущIэкъуащ. Апхуэдэу щыт пэтми, тактикэ и лъэныкъуэкIэ Iэмал зыбжанэ дгъэунэхуащ, футболист зэмылIэужьыгъуэхэми дакIэлъыплъащ. ЗэIущIэхэм я гугъу пщIымэ, Луганск и «Заря»-м дызэрыдэджэгуа щIыкIэм арэзы сыкъищIащ. Дэ хъарзынэу зытхъумэжащ икIи мыIейуэ дебгъэрыкIуащ. ДжэгупIэ губгъуэм тепщэныгъэр щытIыгъащ икIи украинхэм я щхьэр къедгъэIэтыщакъым. — Фэбжь зыгъуэтахэр ди командэм хэт? — Гъуэщокъуэ Арсен нэхъапэм игъуэта фэбжьыр къэхъеижащ. И закъуэу зэкIэ зегъасэ Рухайа Гуджэ. Адрейхэр псори узыншэщ. — Кипрым сыт хуэдэ къалэн щывиIэнур? Дызэрыщыгъуазэщи, абы Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокым теухуа зэхьэзэхуэм фыщыхэтынущ. — Кубокыр зыIэрыдгъэхьэну дыхущIэкъунущ. Сыт хуэдэ зэпеуэми пашэныгъэм щыхущIэкъупхъэщ — абы и ужькIэщ ехъулIэныгъэ ущиIэнур. Зыгъэхьэзырар Хьэтау Ислъамщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25046.txt" }
Университетым и пщащэхэр зэпоуэ Хабзэ зэрыхъуауэ, студентхэм я махуэр КъБКъУ-м щагъэлъэпIащ. ЕджапIэм и студсоветым, гъэ къэси хуэдэу, зэхыхьэ гуапэхэр къызэригъэпэщащ, Сокуров Александр зи унафэщI къудамэр и дэIэпыкъуэгъуу. «Амикс» гупыр къофэ. ЕджапIэм щIэс щIалэгъуалэм а махуэр гукъинэжу ягъэкIуащ: факультет къэс ягъэуващ лъэпкъ шхыныгъуэ зэхуэмыдэхэр зэтещIыщIэу зытет Iэнэ берычэт, джэгу дахэ зэхаублэри, къэфахэщ. Нэхъ гъэщIэгъуэныр «КъБКъУ-м и тхьэIухуд-2013» цIэм хущIэкъуа пщащэхэм я зэпеуэрт. А зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкIащ МафIэдз Линэрэ Тутаев Аланрэ. ХьэщIэхэр ирагъэблагъэ. Пщащэхэм я Iущагъыр, дахагъыр, зыIыгъыкIэр, утыку итыкIэр, пщэфIэкIэр зэпеуэм и Iыхьэ зэхуэмыдэхэм щагъэлъэгъуэну къапэщылът. Хъыджэбзхэм бостей дахэхэр ящыгъыу зыкъагъэлъэгъуащ, къэфащ, пщэфIэнкIэ зэхьэзэхуащ. Линэрэ Аланрэ я упщIэхэм жэуап иратащ. Хъыджэбзхэр ялъэкI къамыгъанэу зэпеуа пэтми, языныкъуэхэр нэхъ гукъинэж хъуащ. Псалъэм папщIэ, зэхыхьэм кърихьэлIахэм псом хуэмыдэу ягу зэрырихьар къагъэлъагъуэу Iэгуауэ ин хуаIэтащ сабий сымаджэхэм якIэлъыплъ ресурснэ центрым щыIэхэм Къардэн Индирэ зэрадэлажьэм зэрытепсэлъыхьам, химие факультетым щеджэ Къардэн Иринэ дунейм пасэу ехыжа и ныбжьэгъум хуитха усэм, ДыщэкI Радимэ модельеру, сурэтыщIу икIи къэфакIуэ Iэзэу зыкъызэригъэлъэгъуам, нэгъуэщIхэми. Хъыджэбзхэм я нэхъыфIыр къыхэпхыныр гугъут, ауэ, ар зи пщэрылъ къэпщытакIуэхэм дэтхэнэри Iыхьэншэ ящIакъым. «Мисс оригинальность», «Мисс грация», «Мисс IQ», «Мисс обаяние», «Мисс зрительских симпатий» цIэхэр Бэрэздж Заирэ, Бекъул Нателлэ, Къардэн Иринэ, Хъарзынэ Аурелэ, ДыщэкI Радимэ сымэ лъагъэсащ. «КъБКъУ-м и тхьэIухуд- 2013» цIэр Къардэн Индирэ хуагъэфэщащ. Зэпеуэм пашэ щыхъуа Индирэ экономикэ факультетым и магистратурэм зэрыщеджэм къыдэкIуэу, ищхьэкIи къызэрыхэдгъэщащи, ресурснэ центрым дистанционнэу щолажьэ, есэпымкIэ ирегъаджэ. ЗэрыцIыкIурэ Индирэ спортым и лIэужьыгъуэ зыбжанэм дехьэх: баскетболым, атлетикэ псынщIэм, псы есыным. Нэхъапэм къуэкIыпIэ Iэпщэрыбанэм зыхуигъасэу щытащ. Iэнэ берычэтхэр ягъэуващ. Зэпеуэм и къэпщытакIуэхэр. Зэхыхьэр ягъэдэхащ КъБКъУ-м и «Каллисто», «Амикс» гупхэм. ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр ЩОМАХУЭ Дарья трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25048.txt" }
Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъа тхьэмадэ Cыт хуэдэ лъэхъэнэми ди лъэпкъым и мэщIакъым адыгэлI ахъырзэманхэр. IуэхуфI илэжьхэмкIэ, и дуней тетыкIэмкIэ жылэм къацIыхуу, фIыуэ ялъагъуу щыта Сэбаншы Хъанджэрий теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн къиIуэтэжащ абы и къуэрылъху, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Сэбаншы Хъусен. Хъанджэрий и Iыхьлы цIыхубзхэр и гъусэу. Хъусен и адэр пасэу дунейм ехыжат. Фызабэу къэна анэм тхьэмадэр дэIэпыкъуэгъушхуэ хуэхъуащ щIалэ цIыкIур гъэсэнымкIэ, егъэджэнымкIэ. Адэшхуэм и щапхъэм щIэту къэхъуа щIалэр гъащIэ гъуэгу дахэ теуващ. Хэт нэхъри нэхъыфIу Хъусен щыгъуазэщ и адэшхуэм и гъащIэр хьэлэмэту къызэрекIуэкIам, а зэманым псэуахэм я гукъэкIыж куэди хуэсакъыу, и адэшхуэм и фэеплъу зэрехьэ. ЗэрыжаIэжымкIэ, псори къыщежьар ХьэтIокъущыкъуейрэ Къулъкъужынрэ яку дэлъ сэнтхым дежщ. И адэм IуэхукIэ шууэ иригъэжьа щIалэм бгитI зэхуакум дыхьэну здэкIуэм, кIий макъышхуэ зэхихащ, «сыкъевгъэл» жиIэу. Шыр игъалъэри, къуэкIыпIэм щеуэкIым, зылI мыщэм пэщIэхуауэ зэхифыщIэу ирихьэлIащ. Шум кIэрыщIа сэмкIэ мыщэм еуэри, и лIапIэ техуащ, икъукIэ къулейсыз хъуа, зи къупщхьэхэр зэхэкъута лIыри къыIэщIигъэкIыжри и унэ нихьэсыжащ. Здихьыжахэр зэхэзежэ хъуащ — сыт хуэтщIэну, къупщхьэ къутар зэрагъэхъуж хэт ищIэрэ, жари. ЩIалэщIэ къезыгъэлар къэпсалъэри: «Сэ слъэгъуащ зэрашхэр», — жиIащ. ИкIи джэдыкIэпсрэ гуэдз хьэжыгъэкIэ шхэпс зэхищIащ, хъыдан къаригъащтэри, къупщхьэ къутахэр ишхащ. Езыр ежьэжащ, зэман дэкIри, и адэм деж хъуахъуэу къыхуэкIуащ щIалэр сэбэп зыхуэхъуам и унагъуэр. ЩIалэр Сэбаншы Хъанджэрийт. Сэбаншы Хъанджэрий ХьэтIохъущыкъуей (Зеикъуэ) къуажэм къыщалъхуащ 1867 гъэм. Унагъуэ хуэщIа къыхэкIат, зэкъуэшихым я нэхъыщIэу арат. Зэманыр зыхуэдэр сытыт — Кавказ зауэжьыр иуха къудейт. Зи хэку къинэжахэм я гъащIэ Iыхьэр зэтраухуэжын фIэкIа нэгъуэщI плъапIи гукъыдэжи яIэтэкъым. Зауаем ныкъуэдыкъуэ хэхъухьахьэри куэдт. Абы и закъуэт? Бгылъэ щIыпIэм щыпсэухэм я къупщхьэ щыкъутэ къэхъурт. Ауэ щыхъукIэ, Хъанджэрий цIыхум я гузэвэгъуэ мащIи и нэгу щIэкIакъым. ЗэрытщIэщи, пасэ зэманым адыгэм дохутыри яIакъым, IэзэгъуазэкIи къулейтэкъым. Нэхъыбэ дыдэу сымаджэм хуащIэфыр щIопщакIуэрат — сымаджэм и пэшым щIалэгъуалэр щызэхуэсрэ трагъэууэ, и гур фIы хуащIу. Дауи, къупщхьэ къутар яшхэрт, ауэ япэ къэсым ар хузэфIэкIыртэкъым. Фэбжьыр текIуэта нэужькIи, цIыхур Iэшэу е лъашэу къыщынэр гъунэжт. Тхьэм къыхилъхьауэ Хъанджэрий Iэзагъышхуэ бгъэдэлъу къыщIэкIынт, армыхъумэ, зыщIыпIи щемыджауэ, зыми имыгъэсауэ дауэ къыгурыIуа IэщIагъэм и щэху псори? Япэ щIыкIэ унэ псэущхьэхэм еIэзэурэ хэгъуэзащ ар, ауэрэ цIыхухэми сэбэп яхуэхъуфу щIидзащ. Псыхуабэ къэзакъхэм я деж щыIэ дохутырхэм я лэжьэкIэм кIэлъыплъурэ и Iэзагъым хигъахъуэрт. Ауэрэ щIалэм и хъыбар жыжьэу Iуащ, абы хузэфIэмыкI щымыIэу къалъытащ. — Езы дадэ зы хъыбар жиIэжу щытащ, — къеIуэтэж Хъанджэрий и къуэрылъху Сэбаншы Хъусен. — Пщышхуэ ХьэтIохъущокъуэ Мысост деж ириджащ ар, и къуэ сымаджэм иригъэплъыну. Зышари езым и къуэш нэхъыжь Хьэрунт, ар пщым и блыгущIэтти. Нартсанэ къыщеIэзэу къашэжа щIалэм еплъри, Хъанджэрий жиIащ: и къупщхьэр пцIыуэ кIыжащ мыбы, мыкъутэжауэ хъунукъым. Зэрыхъун хъуат ар зэхэзыхахэр: апхуэдэ телъыджэ щыIэ! Ауэ Хьэрун ищIэрт и шынэхъыщIэр зэрымыгушыIэр. «ФызэрегуакIуэщ, — жиIащ Хъанджэрий, — зэ узрэ пщыгъупщэжмэ нэхъыфIщ игъащIэкIэ ныкъуэдыкъуэу къанэ нэхърэ». Ар жиIэри щIэкIыжащ. ЕтIуанэ махуэм ираджэри, жыхуиIар игъэзэщIащ. ИкIи операцэр тэмэм дыдэу зэфIэкIащ. Хъанджэрий ипхъухэр, и нысэр, и къуэрылъху Хъусен щIыгъуу. ПсэухукIэ и Iэзагъым хигъахъуэу ихьащ Хъанджэрий. Ар зэрыIэзэ Iэмалым нэхъыщхьэу хэлъыр сыт жыпIэмэ, къупщхьэ къутар е щэщар зэхуэпхьэсыжу и пIэ ибгъэувэжа нэужь, зэпыудыпIэр мыхъейуэ, ауэ езы лъакъуэр е Iэр зекIуэу щыгъэтынырт. Абы къыгурыIуат къупщхьэр кIыжын щхьэкIэ лъыр щызекIуэу щытын зэрыхуейр. Быдэу шхауэ, мыхъейуэ къанэ къупщхьэр кIыжыгъуей зэрыхъум занщIэу гу лъитат. «Лым хуэдэ къабзэу къупщхьэри мэкI», — жиIэрт абы. Дуней псом щыцIэрыIуэ Иллазаровым и цIэр зыми зэхихатэкъым, Хъанджэрий «Иллазаровым и аппарат» жыхуаIэм хуэдэр пхъэкIэ, гъущIыкIэхэмкIэ ищIу щыщIидзам. Къупщхьэр хэпшын щхьэкIэ хьэлъэ фIэпщIэ зэрыхъунур зыми къригъэлъэгъуатэкъым абы, езым и акъылкIэ нэсат. ЗэрыIэзэ Iэмэпсымэ куэд зэрихьэрт — Iэ къутам, лъакъуэм, блыпкъым, тхым, пщэм кIэрилъхьэу зэригъэубыдхэр, зыдикъузэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу. Зэрыщыту кIуэдыжащ — езыр щымыIэжмэ, Iэмэпсымэхэри IэрыщIмэ, хэт зэрихьэнт. ЦIыхухэр жыжьэ къикIыурэ къыхуэкIуэрти, сымаджэм ирахьэлIэнур къыздахьынуи ягу къэкI хъунтэкъым — ар джэдыкIэпс, гуэдз хьэжыгъэкIэ зэщIишхэрт, хъыдан иришэкIынури иджы хуэдэу къайлыжу яIэтэкъым. — Си щхьэкIэ сощIэж ди тепIэнщIэлъыным къыпатхърэ зыгуэрхэм я уIэгъэм ирашэкIыу зэрыщытар. Ди адэшхуэм игъащIэм IэзапщIэ къаIихакъым цIыхухэм. «ФIы пщIэмэ, уи деж къигъэзэжынущ», — жиIэрт абы. Арауэ пIэрэ дадэ гъащIэ кIыхь Тхьэм къыщIритар — ар илъэсищэм нэблагъэкIэ псэуащ, — жеIэж Сэбаншы Хъусен. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Хъанджэрий мы зи гугъу тщIы IэщIагъэм мылъку къыхихыну зэи яужь итакъым. Ар лэжьакIуэшхуэт, псэуныгъэкIэ, унэ-лъапсэ зэгъэпэщыкIэкIэ куэд къылъэщIэмыхьэну апхуэдэт. Iэщрэ шыуэ абы иIам я бжыгъэр куэд хъурт. Хъанджэрий и адэми езыми адыгэш бэлыхьхэр ягъэхъурт. Мыпхуэдэ хъыбари иIэщ дадэм. И зы хакIуэ дэгъуэ езым къемыупщIу ХьэтIохъущокъуэ пщым иубыдри, генерал Даутокъуэ-Серебряковым тыгъэ хуищIауэ щытащ. ИужькIэ зыгуэрым къыжриIащ Хъанджэрий и шыр Налшык, обкомым я шэщым щалъэгъуауэ. Ар Къалмыкъ БетIал деж кIуэри: «Генерал хужьым сиш иубыдауэ щытащи, къызегъэтыж», — жриIащ. Къалмыкъым зыри къыпимыдзу тхылъымпIэ къритащ, шыр къратыжыну. Шэщ щаIыгъым къэхухьауэ щIэту арати, хакIуэм Хъанджэрий къызэрилъагъуу къыщIэпхъуэри къыбгъэдэлъэдащ. ЛIым шы цIахуцIэм зыкъридзри, щIэкIыпIэм щыти щылъи зэбграхыу къыщIэцIэфтри, къуажэм кIуэжахэт. Сэбаншы Хъанджэрий мылъкуу иIар зы къэмынэу колхозым хилъхьат. Сыт ищIэнт — зыхьыну псым зыдригъэзыхат. Куэдрэ нэщ-хъеящ, жаIэжырт, пщIантIэ нэщIым дэплъэхукIэ игу хэщIу. КIыщым нал щIрагъэлъхьэну кърашэлIамэ, мис мыри си шым щыщщ, жиIэурэ куэдрэ къицIыхужырт. ИтIанэ а колхозми хыхьэри, жылэм я щапхъэу хэлэжьыхьащ псэуху, къулыкъу гуэрхэри зэрихьэу. Советхэм я Япэ съездым делегату ягъэкIуауэ щытащ. Кировым и цIэр зэрихьэу Зеикъуэ къуажэм щызэхэта колхозыр блэкIа лIэщIыгъуэм и щэщI гъэхэм ди республикэр мыхъуу, къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуат. Колхозхэтхэм я ехъулIэныгъэхэм кIэлъыплъыну, абыхэм я лэжьэкIэр зригъащIэу ятетхыхьыжын мурадкIэ, Москва къыщыдэкI «Сельская жизнь» газетым и корреспондент Макаренкэ Яков 1937 гъэм Зеикъуэ къагъэкIуат. Илъэсым нэблагъэкIэ журналистым и унагъуэр дэщIыгъуу къуажэм щыпсэуащ, икIи абы щилъэгъуахэр итхыжри, «Друзья, каких знал и люблю» тхылъыр дунейм къытехьащ. Зи гугъу тщIы колхозыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсибл фIэкIа дэмыкIыу, абы и мылъкур сом мелуаным щIигъу и уасэм нэсат. Абы зи гуащIэ хэзылъхьахэм ящыщт Сэбаншы Хъанджэрий. Макаренкэ нэхъыбэрэ зи цIэ къриIуэ къуажэдэсхэм ящыщт а лIы емызэшыжыр. ПщылIыпIэм къызэрикIрэ куэд мыщIа Сэбаншыхэ я унагъуэр хуэмыщIауэ псэурт. Ауэ Хъанджэрий къаруи зэфIэкIи иIэр хилъхьэри, унагъуэм я псэукIэр иригъэфIэкIуат. Совет властыр а щIыпIэм щагъэува зэманым абы и унагъуэр нэхъ хуэщIахэм хабжэрт. ВластыщIэр ягъэуври, колхозым и хъыбарым гуитI-щхьитIу IущIат ар. Абы ищIэжырт и адэм и псалъэхэр: — ЩIэ гуэрым упэрыувэпэн и пэкIэ, фIы дыдэу егупсыс! ЛIы губзыгъэм къыгурыIуэрт, япэрауэ, гъащIэщIэр ухуэным упэщIэувэ зэрымыхъунур. КъинэмыщIауэ, псори фIыкIэ щыгугъырт колхоз зэхаублам. Макаренкэ Яков зэритхыжымкIэ, Сэбаншы Хъанджэрий IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щрихьэкIащ колхозым. Абыхэм ящыщщ къэкIыгъэхэм я фIагъым, ахэр кърахьэлIэжа нэужь абыхэм я хъумэным кIэлъыплъынымкIэ инспектору зэрыщытар. ИужькIэ Хъан-джэрий Налшык къакIуэурэ еджэжри, санитар IэщIагъэщIэр зригъэгъуэтащ, Iэщ дохутырым и дэIэпыкъуэгъуу зэман гуэркIи лэжьащ. Хъанджэрий цIыхухэр зэщIигъэуIуэри, фэм щелэжь мастерской къуажэм къыщызэIуихауэ щытащ. Абы щащIырт уанэ, шы Iэпслъэпс хуэдэхэр. А зэманым а лIы Iэзэр гупгъэдахэт. Абы хъыбар е уэрэд жиIэу зэхахамэ, гупыр зэуэ щым хъурт, апхуэдизкIэ пщIэ къыхуащIырт, фIыуэ къалъагъурти. Уеблэмэ джэгур ягъэувыIэу щытауэ жаIэж, абы уэрэд къыхидзамэ. Уэрэд жыIэн фIэфI къудей мыхъуу, игъэзащIэ уэрэдыжьхэм я хъыбархэм щыгъуазэт, зыхуауса лIыхъужьхэм языныкъуэхэр ицIыхуу щытат. — Хъанджэрий и щIэблэм щIэныгъэр япэ идгъэщу дыкъэгъуэгурыкIуащ. Сыт хуэдиз зэман дэмыкIами, абы и псалъэр, и щапхъэр дэ тщIыгъущ. «ЦIыхум я сэбэп зепхуэу упсэуныр нэхъыфIщ», — арат дадэ и гупсысэ нэхъыщхьэр, — жеIэ Хъусен. И насыпщ Сэбаншы Хъанджэрий хуэдэ нэхъыжьыфI зи япэ ита лъэпкъым! ЩОДЖЭН Iэминат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25055.txt" }
Куржы таурыхъхэр Ижь-ижьыж лъандэрэ зэгъунэгъущ адыгэхэмрэ куржыхэмрэ, я хэку гъунапкъэхэр зэпылъщ. Аращ абыхэм я IуэрыIуатэр щIызэблагъэ дыдэр — я купщIэкIэ, я фащэкIэ, я гъэпсыкIэкIэ. Ар уи фIэщ мэхъу, куржыхэм къадэгъуэгурыкIуэ хъыбархэм, таурыхъхэм, псысэхэм щыгъуазэ захуэпщIмэ. Куржыхэм я деж щыцIэрыIуэщ Амирани и пшыналъэр, ар ебгъапщэ мэхъу Насрэн ЖьакIэ и хъыбархэм; мафIэ къызэрихьам щхьэкIэ бгыщхьэм ираIулIауэ щытащ Хьэмрий зи цIэ зекIуэлIыр: ар дыдэращ куржыхэм я Амирани натIэ хуэхъуар — зэцIэджэгъу къудейкъым ахэр, я хъыбархэмкIи зэблагъэщ. Апхуэдэ благъагъэ зэхуаIэщ куржыхэмрэ адыгэхэмрэ я пасэрей IуэрыIуатэхэм. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ — куржыхэмрэ адыгэхэмрэ тхыдэм и гъуэгуанэ кIыхь къызэдакIуащ. «Адыгэ хуэдэщ» — апхуэдэ псэлъафэ яIэщ куржыхэм. Ар хужаIэ цIыхугъэ зыхэлъым, щэныфIэм, хабзэрэ лIыгъэкIэ цIэрыIуэм. Сталин Иосиф жиIауэ щытащ: «ЛъэпкъыфIщ къэбэрдейхэр. ПщIэшхуэ яIэщ. Фхъумэ а пщIэр». КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ. Зэадэзэкъуэ МЭКЪУМЭШЫЩIЭ тхьэмыщкIэ гуэр псэурти, къуэ закъуэ иIэт. И щхьэгъусэр къыщыхьащ абы: — Уи къуэр зыми хэзагъэркъым, Iэшмэкъугущ. IэщIагъэ гуэрым хуэбгъасэркъэ щIалэр, — жери. Щхьэгъусэм щыхигъэзыхьым, мэкъумэшыщIэр ежьащ, и къуэр здришажьэри. Псы зэпрыкIын хуейти, псым шейтIан къыхэкIащ, цIыху сурэтым ихьэри. — Дэнэ фежьа, сыт фыщIежьар? — къеупщIащ шейтIаныр. — Си къуэр зыгъэсэн солъыхъуэ, — жиIащ мэкъумэшыщIэм. — Сэ пхуэзгъэсэнщ уи къуэр, — къыжриIащ шейтIаным. — Зы илъэс тезгъэкIуэдэнщ. Илъэс дэгъэ- кIи, къыкIэлъыкIуэ. Уи къуэр къэпцIыхужмэ, пшэжынщ, къыпхуэмыцIыхужмэ, сэ къысхуэнэнщ. ШейтIаным и гъэсэным нэгъуэщIыфэ къытригъауэрти, зейм къыхуэцIыхужыртэкъым. Ар ищIакъым мэкъумэшыщIэм: и къуэр шейтIаным деж къигъэнащ, езыр и жылэ кIуэжащ. Илъэс дигъэкIри, и къуэм кIэлъыгъуэзащ мэкъумэшыщIэр. ШейтIаным и пщIантIэм щIалэ зыбжанэ дэтт. И къуэр яхилъэгъуакъым. Зы щIалэщIэ къыбгъэдыхьащ мэкъумэщыщIэм. — Уи къуэр сэращ, — къыжриIащ щIалэм. — ШейтIаныр ежьащи, иджыпсту къэсыжынущ. Къызэрысыж нэхъ пIалъэ къыхигъэкIынукъым: мо щIалэхэри сэри тхьэрыкъуэ сурэтым дригъэхьэнущ. ДиутIыпщынурэ, дылъэтэнущ. Дылъатэмэ, псоми япэ итынур сэращ, къыщыдгъэзэжкIэ я ужь зыкъизгъэнэнущ. ШейтIаныр къэсыжмэ, къоупщIынущ: «Дэтхэнэра уи къуэр?» Тхьэрыкъуэ хъушэм я ужь итынур сэращи, сэ сегъэлъагъу: «Моращ си къуэр». МэкъумэшыщIэр гуфIащ. ШейтIаныр къэсыжри, къеупщIащ: — КъэпцIыхужа уи къуэр? Дэтхэнэра уи къуэр? — Тхьэрыкъуэ хъушэм я ужь итращ, — жиIащ мэкъумэшыщIэм. ЩIалэм и адэр зэригъэIущар къищIащ шейтIаным. Сыт ищIэжынт: мэкъумэшыщIэм и къуэр къритыжащ. КъыздэкIуэжым, мэкъумэшыщIэр и къуэм еупщIащ: — Сытым ухуигъэса узэстам? — жери. И адэм жэуап къримыт щIыкIэ щIалэр пабжьэм хэлъэдащ. НапIэзыпIэ нэхъ дэкIакъым: пабжьэм дыщэ джэдыкIэ къыхэжащ. Дыщэ джэдыкIэм кIэлъыжащ мэкъумэшыщIэр — лъэщIыхьакъым. — Сынасыпыншэ хъунщ сэ, — жиIащ мэкъумэшыщIэм, — дыщэ джэдыкIэм сыкIэлъыпхъуэурэ, пабжьэм хэлъэдэжри, сфIэкIуэдыжащ. Пабжьэм зыхидзащ щIалэм. Пабжьэм дыщэ джэд къыхэлъэтащ. Дыщэ джэдым кIэлъыпхъуа щхьэкIэ, къыхуэубыдакъым. — Дыщэ джэдми сыхэкIыжащ, — жиIащ мэкъумэшыщIэм. — Пабжьэм зыхидзэжащ. мэкъумэшыщIэм и къуэр къыхэкIыжащ пабжьэм. — Дэнэ ущыкIуэдрэ: зыри къысIэрыхьэркъым нобэ, укъыздэIэпыкъуркъэ! — и къуэм егиящ мэкъумэшыщIэр. ЩIалэм и щIыб къигъазэри, пабжьэм зыхидзащ. Пабжьэм дыщэ тхьэкIумэкIыхь къыхэжащ. ТхьэкIумэкIыхьым зыкIэлъидзащ мэкъумэшыщIэм — къыхуэубыдакъым, IэщIэкIащ. МэкъумэшыщIэр и щхьэм щIотIахъуэ: — Дыщэ джэдыкIэми, дыщэ джэдми, дыщэ тхьэкIумэкIыхьми сыхэкIыжащ! — Уигу умыгъэныкъуэ, ди адэ: дыщэ джэдыкIэри, дыщэ джэдри, дыщэ тхьэкIумэкIыхьри сэращ. МэкъумэшыщIэр къэгуфIэжащ, и къуэр къыздришэжьэжри къежьэжащ. ЩакIуэ гуп ирихьэлIащ: пщыхэм я хьэджафэр бажэм ираутIыпща щхьэкIэ, къахуэубыдыркъым: мэзым щIэлъэдэжри, яIэщIэкIащ. ЩIалэм и адэм жриIащ: — Мэзым щIыхьи, бажэр къыщIэху. Сэ хьэджафэ зысщIынщи, бажэм лъэмбытI езгъэчынкъым. Бажэр къэзубыдмэ, пщым ухигъэзыхьынущ: хьэджафэр къызэщэ! ЩIэх арэзы умыхъу, бажэм и уасэр дэгъэуей. Бажэр щэи, гъуэгу техьэж — сэ сыныплъэщIыхьэжынщ. МэкъумэшыщIэм зы бажэ къыхихуащ мэзым. Хьэджафэ зищIати, щIалэм бажэр къиубыдащ. — Уи хьэджафэр къызэщэ! — къыщыхьащ пщыр мэкъумэшыщIэм. Хьэджафэм и уасэр дригъэуеиху, пщыр зыхигъэзэгъакъым мэкъумэшыщIэм. Дыщи дыжьыни къритащ пщым. Дыщэмрэ дыжьынымрэ кърихьэжьэри къежьэжащ мэкъумэшыщIэр. И къуэри къылъэщIыхьэжащ, цIыху сурэтым ихьэжри. Пщым къыIэщIагъэкIа дыщэмрэ дыжьынымрэ фIэмащIэ хъуащ щIалэм. И адэм жреIэ: — Сэ шы пщIэгъуалъэ зысщIынщи, къэшэс, къалэм сыхуи, сыщэ. Куэсэ къысщIэупщIэнущи, куэсэм сещэ. Сепщэмэ, нахъутэр спщIэхэх — нахъутэр епщэ хъунукъым. ЩIалэм шы пщIэгъуалэ зищIащ. Шы пщIэгъуалэм шэсри, къалэм дыхьащ мэкъумэшыщIэр. Зы куэсэ къыщIэупщIащ шы пщIэгъуалэм, ирищэху кIэрыкIакъым куэсэр. Ирищащ. И къуэм къыжриIар щыгъупщэжри, нахъутэри ирищащ куэсэм. Шыр ихури шэщым щIигъэзэгъащ куэсэм. Куэсэр шейтIанурат, цIыху сурэтым ихьауэ. Шэщ кIыфIым щIэзэшыхьащ щIалэр. Нэху щыри, шэщыбжэм дыгъэ бзийр къыдэплъащ. Шэщым щIэпщыпIэ иIэти, дзыгъуэ зищIри щIалэр къыщIэкIащ. Джэду зищIри, шейтIаныр дзыгъуэм и ужь иуващ, лъэщIыхьэ щыхъум, щIалэм бдзэжьей зищIри, псым хэпкIащ. ШейтIаным хъы зищIащ, бдзэжьейм кIэлъыхэпкIащ. Псым къыхэпкIыжри, мэз джэд зищIащ щIалэм, лъэтащ. Къашыргъэ сурэтым ихьэри, шейтIаныр мэз джэдым кIэлъылъэтащ. Зыкъригъэубыдакъым: мыIэрысэ джабэплъ зищIри, пащтыхьым и Iэнэм техуащ. ШейтIаным сэ жан зищIащ. МыIэрысэ джабэплъыр пщым зэгуимыгъэж щIыкIэ, щIалэм хугу зищIащ. Хугур джэдым хуапхъащ. Зы хугу къелащ джэдым. Хугур, Iуданэ хъури, мастэм зыфIищIащ, лъейри, мафIэм пэрыхуащ. Iуданэр мафIэм илыгъуащ, мастэр щIалэрати, кIэбгъу зищIыжащ. МафIэм илыгъуар — Iуданэр — шейтIанырат. Абдеж кIэ щигъуэтащ шейтIаным. ЦIыху сурэтым ихьэжри, щIалэр ежьэжащ. Щхьэхынэ ЗЫЛI къуэ щхьэхынэ иIэт. АпхуэдизкIэ щхьэхынэти, тIысамэ, къэтэджыжыкIэ ищIэртэкъым — къэтэджыжын щхьэхырт, къехьэлъэкIырт. Зы сом къыхуэлэжьакъым игъащIэм. Зыгъашхэри зыхуапэри и адэ-анэрат, арат зыщыгугъыр. Жьы хъури, тIысыжащ лIыр, сымаджэрилэт. И щхьэгъусэр къриджэри жриIащ: — Си мылъкур хамэм къыхуэзгъэнэнущ, си къуэм зыри лъызгъэсынукъым. Хуэфащэкъыми аращ щIылъызмыгъэсынур. Зы сом къыхуэлэжьакъым, сэращ зыщыгугъыр. ДяпэкIи къыхуэлэжьынукъым, сэ дунейм сехыжмэ, щIалэ щхьэхынэр шхын щхьэкIэ лIэнущ. — Ар дауэ жыпIэрэ: жылэ щIалэм нэхърэ нэхъ хуэмыху уи къуэр? -идакъым фызым. — Мынэхъ хуэмыхумэ, зы сом къилэжьынт. Сом закъуэ къилэжьауэ слъагъумэ, си мылъкур къыхуэзгъэнэнт. Сэ къэзгъэщIэжын щыIэкъым: нобэ-пщэдейщ, — жиIащ лIым. Фызыр и къуэм деж кIуащ, зы сом хуихьри. — Мы сомыр уи жып илъхьи, пщIантIэм дэкI, пшапэр зэхэуэху къэкIухь, пщыхьэщхьэ къыдыхьэжи, сомыр уэ къэблэжьауэ жеIэ уи адэм. И гур гъэзагъэ, — жриIащ фызым и къуэм. ЩIалэр махуэ псом къекIуэлIэжакъым. Пщыхьэщхьэм къэкIуэжри, и адэм деж щIыхьащ. — Мис, — жиIащ щIалэ щхьэхынэм, — мы сомыр нобэ къэзлэжьащ. Гугъу сыдехьащ, пщIэнтIэпсыр ескъуэкIащ. Сомыр Iихащ щIалэм и адэм. Сомыр зэпиплъыхьащ, епэмри, жьэгу мафIэм пэридзащ. — Сомыр уэракъым къэзылэжьар, — жиIащ лIым. И щхьэр щIигуэри, и адэм деж къыщIэкIыжащ щIалэ щхьэхынэр. Фызыр мэгузавэ — сыт ищIэнур? И къуэм зы сом иритащ аргуэру. — Дэни кIуэ, пщыхьэщхьэ пщIондэ пщIантIэм укъыдэмыхьэж. Уешыху къэжыхьи, пщIэнтIэпс къокIуа нэужь, къэгъэзэж. Уи адэр гуфIэнщ, сом къэблэжьауэ илъагъумэ, — жриIащ щIалэ щхьэхынэм. Махуэ псом къиджэдыхьри, пщыхьэщхьэм къыдыхьэжащ щIалэр, и адэм деж щIыхьэри, сомыр иригъэлъэгъуащ. — Мис, нобэ зы сом къэзлэжьащ, си Iэр увыIакъым, Iуэхум сыкъыдэхуакъым, — жиIащ щIалэм, сомыр и адэм хуишиящ. Сомым епэмщ, зэпиплъыхьри, жьэгу мафIэм пэридзащ лIым. — Сэ сыкъэбгъэпцIэфын уи мыгугъэ: мы сомыр уэ къэблэжьакъым, — къыжриIащ и адэм. И щхьэр къыфIэхуауэ, и адэм деж къыщIэкIыжащ щIалэ щхьэхынэр. — Уи адэр къызэрумыгъэпцIэфынур уи фIэщ хъуа иджы? КъэбгъэпцIэфынукъым, — къыжриIащ и анэм. — КъохьэлъэкIми, гугъу уехьми, уи Iэ-уи лъэм ущымысхь, зыгуэр лэжь. Тхьэмахуэ хуэдэкIэ гугъу зебгъэхьмэ, зы сом къыпхэхъуэнщ. И анэм едэIуащ щIалэр. Тхьэмахуэ зэхуакукIэ пщIэнтIэпс игъэжащ, зыщысхьыжакъым, зы сом къилэ- жьати, и адэм къыхуихьащ: «ЗгъэгуфIэнщ», — жери. А сомри жьэгу мафIэм пэридзащ щIалэм и адэм. Къэгужьейри, щIалэм жьэгу мафIэр пэрыIэбэмкIэ зэбгритхъуащ. Сомыр къипхъуэтэжащ. — Мы сомым тхьэмахуэ тезгъэкIуэдащ, уэ жьэгу мафIэм пэрыбодзэ! — Иджы си фIэщ хъуащ сомыр уи пщIэнтIэпскIэ къызэрыблэжьар. Сигу бгъэзэгъащ, — жиIащ щIалэм и адэм. — Зыщумыгъэгъупщэ, си щIалэ: улажьэмэ, лыжь пшхынщ, умылажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ. А псалъэр игу ириубыдэри, абы тетащ щIалэр, жьы хъууэ жьэгум дэтIысхьэжыху. Зыхуэфащэм ехь ЛIыжь гуэрым къуибгъу иIэт, нэхъыщIэм БолэткIэ еджэрт. — Си лIэгъуэр къэблэгъащ, сымылIэ щIыкIэ, си къуэхэм къезгъэшэнщ, — мурад ищIащ лIыжьым. — Зэшыпхъуибгъу къытхуумыгъуэтмэ, къэтшэнукъым, — къыжраIащ лIыжьым и къуэхэм. — Къыфхуэзгъуэтынщ, — жери ежьащ лIыжьыр. Зы жылэ дыхьащ. — Пхъуибгъу зэрыс унагъуэ щызгъуэтын мы жылэм? — щIэупщIащ лIыжьыр. — Щыбгъуэтынукъым, — къыжраIэжащ. Ежьэжри, нэгъуэщI жылэ дыхьащ. — Пхъуибгъу зэрыс унагъуэ щызгъуэтын мы жылэм? — щIэупщIащ лIыжьыр. — Щыбгъуэтынукъым, — къыжраIащ. Ежьэжри, гъуэгу тетурэ, пащтыхьым пхъуий зэриIэр зэхихащ. — Сыт сщIэн, сылъыхъунщ, — жиIащ лIыжьым. Зэшыпхъуийри тхьэIухудт. Пащтыхьым ипхъухэм лъигъэхъуащ. Арэзы хъуащ пащтыхьыр, лIыжьым и къуэхэм я хъыбарыфI зэ-хихати. Пщащэ тхьэIухудхэр гуимэм къригъэтIысхьэри, къежьэжащ лIыжьыр. Лъэмыж къикIыжын хуейти, лъэмыж щIагъым зы иныжь къыщIэкIри къыпэуващ. — Сыт узыхуейр? — Уи къуэ нэхъыщIэращ сызыхуейр, — къыжриIащ иныжьым. — Болэт къысхуэгъакIуэ. КъыумыгъакIуэмэ, фи лъапсэм псы изгъэжыхьыжынущ. Нэщхъей хъуауэ къигъэзэжащ лIыжьым. — Щхьэ унэщхъей? — хагъэзыхьащ лIыжьыр и къуэхэм. — Фи шынэхъыщIэр иныжьым и деж сымыгъакIуэмэ, ди лъапсэм псы иригъэжыхьыжынущ, — къажриIащ лIыжьым. — Иныжьым къемылынкIэ сошынэ. — Умышынэ, — жиIащ Болэт. — СыкIуэнщ. Шэсри, ежьащ лIыжьым и къуэ нэхъыщIэр. Иныжьым деж еблэгъащ. — Пащтыхьым пцIы къыхуиупсащ фи адэм, — къыжриIащ иныжьым. — Пащтыхьым пхъуибгъу иIэщ. Ипхъу нэхъыщIэр дахэкIейти, ар игу пыкIакъым. Сылъыхъун мурад сщIащи, пащтыхьым и пхъум деж схуэкIуэ -къэсшэнущ. Иныжьым и унэм къикIыжри, гъуэгу техьэжащ Болэт. Гъуэгу здытетым, зы фызыжь ирихьэлIащ. Фызыжьым гу лъитащ щIалэр зэрынэщхъейм. — Щхьэ унэщхъей, щхьэ ухэплъэрэ? — къеупщIащ фызыжьыр. — пащтыхьым и пхъум ехъуэпсащ иныжьыр, пащтыхьым деж сегъакIуэ. Аращ сыщIэнэщхъейр. Ди адэри лъыхъуати, пцIы къыхуиупсащ пащтыхьым. — Пащтыхьым ипхъу нэхъыщIэм Iэджэ лъыхъуащ, зыми къаритакъым. Псэлъыхъу кIуауэ хъуар къригъэукIащ. Умыбэлэрыгъ, чэнджэщ уэстынущи, къэзэдаIуэ. Гъуэгум щIалищ ущрихьэлIэнущ: зыр ныбэхуэфIщ, зыр псыбафэщ, зым теплъхьэр и хьэлъэщ. Щыри здэшэ, укъагъэщIэхъункъым. Ежьэжри, губгъуэм ихьауэ, зы щIалэ ирихьэлIащ. ЩIалэр зы щыхь бгъэдэсщ. — Зы щыхь къэзукIа щхьэкIэ, срикъунукъыми, абы сытогузэвыхь. — Гъусэ укъысхуэхъумэ, сэ зозгъэгъэнщIынщ, — жриIащ Болэт. Ар гъусэ ищIри, ежьэжащ. Шэпапым щIэувауэ, зы щIалэ IущIащ. — Псы софэ-софэри, си псыхуэлIэ икIыркъым, — къыжриIащ щIалэм. Ари гъусэ ищIащ Болэт. Псыхъуэ дыхьауэ зы щIалэ къалъэгъуащ: абрэмывэ зэрегъажэ щIалэм, йоIэдэкъауэри щIехуэ, дредзей-къредзых. Ари гъусэ къищIащ. ПлIы зэрыгъэхъуауэ, пащтыхьым и унэм ихьащ, абы ипхъу нэхъыщIэм къызэрыкIэлъыкIуар жраIащ. — Пшапэр зэхэмыуэ щIыкIэ, мэжаджэ матибгъу вгъэкIуэщIыфмэ, си пхъур фэстынщ. Мэжаджэ матибгъу кърагъэуващ я пащхьэ. НыбэхуэфIым зы мэжаджи къелакъым. — Къыдэптрэ уи пхъур? — Фэстынщ, санэ кIадибгъу иффыфмэ, — къажриIащ пащтыхьым. Зы ткIуэпс къелакъым псыбафэм — кIадибгъури иригъэкIащ. Пащтыхьыр къэгузэващ: «Сипхъу дахэкIейр сIэщIагъэкIынущ», — жери. — Махуищ пIалъэ къызэфт, — къэгузэващ пащтыхьыр. — Уэттынукъым, — жиIащ Болэт. — Уарэзыуэ къыдумытмэ, тхьынщи, дежьэжынщ. Абрэмывэм ириджэгуа щIалэм и дамэм пащтыхь сэрейр тригъэувэри кърихьэжьащ. Сэрейм пщащэ дахэкIейри щIэсщ. КъыздэкIуэжым, иныжьыр лъэмыж щIагъым щIаукIыхьащ: — Пащтыхьым ипхъу дахэкIейр зыхуэфащэм ехь! — жари. Псэлъыхъухэр ЗЭКЪУЭШИБЛ зы жылэ дэст. Я нэхъыщIэм БэтэтинэкIэ еджэрт. Я къэшэгъуэ хъури, зэшхэр псэлъыхъу ежьащ. Зыбг щхьэдэхауэ, иныжь къахуэзащ. — Дэнэ фежьа зэшхэр? — къеупщIащ иныжьыр. — Зэшибл дохъу, блыми къэтшэн мурад тщIащ, — жраIащ иныжьым. — Сэ пхъуибл сиIэщ, — къажриIащ иныжьым. — Сынывоплъри, фэ фтетщ, сипхъухэр фи зырызщ, фызот. — Уипхъу къэтшэнукъым, — жраIащ иныжьым. Зэшхэр я гъуэгу техьэжащ. Зыбг щхьэдэхауэ, иныжь къарихьэлIащ. — Дэнэ фыкIуэрэ? — Ди къэшэгъуэ хъуауэ къытхуагъэфащэ. Зэшыпхъуибл дгъуэтмэ, къэтшэнущ, — жаIащ зэшхэм. — Сэ пхъуибл сиIэщ, малъхъэ фысщIынщ, — къажриIащ иныжьым. — Уипхъу дыхуейкъым, — жари ежьэжащ зэшхэр. Зыпс зэпрыкIауэ, иныжь къаIущIащ. — Дэнэ фежьа? — Дыпсэлъыхъущ. Зэшибл дохъури, зэшыпхъуибл долъыхъуэ. — Пхъуибл зиIэ фрихьэлIащ, фызот, — къажриIащ иныжьым. — Уипхъу къэтшэнукъым, — жари блэкIащ. Мэзым щIыхьауэ, зы иныжь къарихьэлIащ. — Дэнэ фежьа, сытым фылъежьа? — къеупщIащ иныжьыр. Зылъежьар жраIащ иныжьым. — Пхъуибл сиIэщи, фи зырызщ, — къажриIащ иныжьым. «Ди натIэ къритхами, тщIэркъым», — егупсысащ зэшхэр. Иныжьым деж еблэгъащ. Иныжьым къигъэхьэщIащ, пIэ яхуригъэщIри игъэгъуэлъыжащ зэшхэр. Зэшхэр жейм хилъэфащ, Бэтэтинэ жей нэпцI зищIащ. Иныжьыр жэщыбгым къежьащ. — Хэт жейрэ, хэт жейм емызэгърэ? — къеупщIащ иныжьыр. — Сэ сезэгъыркъым, — жиIащ Бэтэтинэ. — Сыт ущIемызэгъыр, зэран къыпхуэхъуIарэ? — Уивхэр мэжьэгъуашхэри, сагъэжейркъым, — жиIащ Бэтэтинэ. Иныжьым ивхэр иукIыжащ, заул дигъэкIри, къытригъэзащ: — Хэт жейрэ, хэт мыжейрэ? — Сэ сыжейркъым, — жиIащ Бэтэтинэ. — Сыт ущIэмыжейр? — Уи жэмхэр мэбури, жеипIэ къызатыркъым. Иныжьым и жэмхэр иукIыжащ, зы жэм фIэкI къигъэнакъым. Нэхущым къежьащ иныжьыр. — Хэт жейрэ, хэт мыжейрэ? — Сэ сыжейркъым, — жиIащ Бэтэтинэ. — Сыт ущIэмыжейр? — Фи джэдхэр маIуэри, си нэбдзыпэ зэтрызагъалъхьэркъым. Джэдэщым кIуэри, иныжьым и джэдхэр зэтриукIэжащ. АпщIондэху Бэтэтинэ и къуэшхэр къигъэушри, зэрехьэжьэжащ. Иныжьым къыгурыIуащ зэшиблым я нэхъыщIэр къызэребзэджэкIар. ЯкIэлъежэжьащ, пхъэзакъуэ лъэмыжым икIыжауэ ялъэщIыхьащ зэшхэм. — Пхъэзакъуэ лъэмыжым фимыкI щIыкIэ сыфлъэщIыхьатэмэ, кIэ фэстат. ФымыпIащIэ, иджыри дызэрихьэлIэнкIэ мэхъу, — якIэлъыджащ иныжьыр зэшхэм. — Дунейр шэрхъщи, мэкIэрахъуэ. ДызэрихьэлIэнкIи хъунщ, — къегуоуащ Бэтэтинэ иныжьым. Иныжьым и жэмыр яхури, зэшихыр ежьэжащ. Бэтэтинэ лIыщIакIуэ ежьащ. ЩIалэр пащтыхьым деж кIуащ: — СыпхуэлIыщIэнщ, — жери. — УзгъэлIыщIэнщ, иныжьым и алэрыбгъур къысхуэпхьмэ, — къыжриIащ пащтыхьым. — Дыдрэ мастэпэбдзрэ къызэти, сежьэнщ, алэрыбгъум ухеймэ, — жиIащ Бэтэтинэ. Дыдрэ мастэпэбдзрэ здищтэри ежьащ Бэтэтинэ, иныжьым деж кIуащ, унэм зыщIигъэзагъэри, иныжьыр щыжей тахътэм и щIагъ щIэтIысхьащ. Дыдрэ мастэпэбдзкIэ йопыдж иныжьым. Хуэмыхьыж щыхъум, иныжьыр къызэфIэуващ: — Гъуанэдэсым си фэр ирахащ, — жери. Тахътэм иубгъуа алэрыбгъур щIихащ иныжьым, есэбауэри, бжыхьым фIидзащ. Бэтэтинэ зэщэр арати, алэрыбгъур къипхъуатэри, кIэбгъу зищIыжащ. Алэрыбгъур пащтыхьым хуихьащ. — Афэрым, щIалэфI! — ФIыщIэ къыхуищIащ пащтыхьым. — Тебгъазэрэ иныжьым и гъуаплъэ лэгъупыр къысхуэпхьатэмэ, сыбгъэунат. Тригъэзащ. Иныжьым и деж кIуэри зыхуигъэтхьэмыщкIэфащ. — Си напэр фIыцIэщ усIэщIэкIмэ! УзыIурыздзэнкъэ иджы! — жиIащ иныжьым. — СызыIурыдзэ, сигу нобгъэнукъым. — Гъуаплъэ лэгъупымкIэ узгъэвэнщи, усшхынщ! ЛэгъупыIэмпIэ зэфIидзэри, иныжьыр псыхьэ кIуащ. Ар къэмысыж щIыкIэ, Бэтэтинэ лэгъупыр кърихьэжьэри къежьэжащ. Гъуаплъэ лэгъупым щыгуфIыкIащ пащтыхьыр. — Иджы сызыхуейр пщIэрэ? Езы иныжьыр къысIэщIэгъэхьэ, хуэфащэр есщIэнущ, — жиIащ пащтыхьым. — Сэ есщIэнщ иныжьым хуэфащэр, — жиIащ Бэтэтинэ. — ЕщIэ-тIэ. Зы джыдэ, зы уадэ, зы пхъэх здрихьэжьащ Бэтэтинэ. Иныжьыр бжэIупэм Iусщ мэIэуэлъауэри. — Сыт пщIэр? Сыт узыхэтыр? — Ашык сощI. Ашыкым удэзгъэтIысхьэнурэ, пхъэзакъуэ лъэмыжым уездзыхынущ, — жиIащ иныжьым. — Ашыкыр къэскъутэнщи, пхъэзакъуэ лъэмыжым сынумыхьэс щIыкIэ, сыщIэпхъуэжынщ, — жиIащ Бэтэтинэ. — Ашык тIасхъэщ уэ пхуэщIынур. Сэ сыгъэщI. Я джыди, уади, пхъэхи къыздесхьэжьащ. — ПхузэфIэкIынумэ, щIы, — арэзы хъуащ иныжьыр. Ашык ищIащ Бэтэтинэ. — Ашыкыр хъуарэ мыхъуарэ къысхуэщIэ. ИтIысхьэт: тIасхъэ хьэмэ дзыхь хуэпщI хъуну ашыкым? ДэтIысхьи, блыпкъкIэ къыпхуэкъутэрэ къыпхуэмыкъутэрэ сегъэплъ, — жери иныжьыр тригъэгушхуащ Бэтэтинэ. Иныжьыр ашыкым итIысхьащ, блыпкъкIэ къеныкъуэкъуащ. — УкъигъэщIэхъунукъым ашыкым. БлыпкъкIэ схуэкъутэркъым, — жиIащ иныжьым. — Аракъэ сэ сызыхуейр! — ашыкым и щхьэр триIулIэжащ Бэтэтинэ, пхъэзакъуэ лъэмыжым ихьри иридзыхащ. Тбилиси япэм иIа теплъэхэм ящыщщ. 1953 гъэ ХъуэжыкIафIэ ЗЫ ЩIАЛЭ зекIуэ ежьащ. Гъуэгущхьиблыр щызэхэкIым нэсауэ, жэщ къытехъуащ. Жэщ къыщытехъуэм, иныжь нэ закъуэм деж еблэгъащ щIалэр: — Ныжэбэ жэщыр щизгъэх уи деж, — жери. — Си нэщ, си псэщ, — жиIащ иныжь нэ закъуэм. Мэл иукIри игъэващ иныжьым, лыр Iэнэм къытрилъхьащ. Зы лы Iыхьи лъигъэсакъым хьэщIэм, мэлыр езым ишхыжащ. — Ныщхьэбэ мэлыр сошх, пщэдей уэ усшхынущ, — къыжриIащ щIалэм. Иныжь нэ закъуэр гъуэлъыжащ. ЩIалэр пырхъуэм тегъуэлъхьащ. Жэщыбг хъуауэ, гъэлъэхъум къигъэушащ щIалэр. — Умыжей, — къыжриIащ гъэлъэхъум. — Иныжьым пщэдей узэришхынур къыбжиIакъэ? — КъызжиIащ. Сыт схузэфIэкIын? СыIэмалыншэщ, — жиIащ щIалэм. — УIэмалыншэкъым. Дзасэр гъэплъи, иныжьым и нэ закъуэр ищI. Зы мэл укIи, мэлыфэр зэшэкI, мэл хъушэм захэбгъэпшахъуэмэ, иныжь нэфым уахигъуэтэнукъым, — къыжриIащ гъэлъэхъум. Нэху щыри, иныжь нэфыр гъынанэу къэтIысащ. — Сыбгъэунэхъуащ, емынэунэ хъун! Си нэ закъуэр ипщIащ! Иныжьыр фIэгуэныхь хъуащ щIалэм: — Сыт пхуэсщIэфынур? Си гуащIэ себлэнкъым, — жиIащ. — Си мэл хъушэр схуэгъэхъу, си нэр щипщIакIэ, — къелъэIуащ иныжьыр. — Пхуэзгъэхъунщ, зы гъэкIэ пхуэзгъэхъумэ, хъушэм и зэхуэдитIыр къызэптынщ. Зы гъэкIэ хуэлIыщIащ щIалэр иныжьым. Хъушэм и зэхуэдитIыр къыпихуащ, зэгурыIуати. Къежьэжын щыхъум, иныжьым къыжриIащ: — Гъуэгум зы жыг ущрихьэлIэнущ. Жыгым къыпэкIухь, убгъэдэмыхьэ: жыгыщхьэм бгъэ исщи, узыIуригъэлъэдэнущ. Ар пэжрэ пцIырэ игъэунэхун мурад ищIащ щIалэм: ежьэри, бгъэм и абгъуэр зытет жыгым хуиунэтIащ. ЩIалэр къыщилъагъум, бгъэр къыхуэгубжьащ: — Хэт къызэзыкуар? — Сэращ къозыкуар. СыгъуэгурыкIуэщ. Уи бгъэ шырхэр къызэт. Къызумытмэ, жыгыр къэзгъэуэнущ, — жиIащ щIалэм. Сыт ищIэжынт бгъэм: и шыритIыр къридзыхащ. ШыритIыр и дамэм тригъэтIысхьэри къежьэжащ щIалэр. КъыздэкIуэжым дэ жыгхэм ярихьэлIащ. — Уи дамэм тес бгъэ шыритIыр къыдэт. Къыдумытми, къыптетхынущ. Уарэзыуэ къыдэптмэ, я уасэм деблэнкъым, — къыжраIащ дэ жыгхэм. ЩIалэр и щхьэм щIэтIэхъуащ: «Бгъэ шырхэм сыт къысхуащIэн? Яшхынур нэхъыбэщ». Дэ жыгхэм ящыщ зым и гупкIэм пщащэ дахэкIей пыст. — ПщащэмкIэ фызохъуэж бгъэ шырхэр. Фэсхъуэжын фIэкI, фэсщэнукъым, — яжриIащ дэ жыгхэм. «Бгъэ шыритIыр дгъасэмэ, дрищакIуэ хъунущ», — жаIащ ягукIэ дэ жыгхэм. — Удохъуэж, — къыжраIащ. — Удот пщащэр, бгъэ шыритIыр уигу пыкIмэ. Бгъэ шыритIымкIэ къихъуэжри, пщащэ дахэкIейр и унэ иришащ щIалэм. Уахътыншэ щыIэкъым ЗЫ ФЫЗАБЭ псэурти, къуэ закъуэ иIэт. Фызабэкъуэт псори къызэреджэр — абы иризэгуэпырт щIалэр. — Псоми адэ яIэщ, сэ щхьэ симыIэрэ? — еупщIащ щIалэр и анэм. — Уи адэр лIащ, — къыжриIащ и анэм. — Сыт абы къибгъэкIыр? Къигъэзэжынукъэ си адэм? — Къигъэзэжынукъым. Дэ дыкIуэнущ ар здэкIуам, — жиIащ щIалэм и анэм. — Псори дылIэнущ, зыри IэщIэкIынукъым ажалым. — Дунейм сыкъыщытехьакIэ, сехыжыну си жагъуэщ. Сежьэнурэ ажал здэщымыIэм сыкIуэнущ, — игу ирилъхьащ щIалэм. И анэр елъэIуа щхьэкIэ, къедэIуакъым, ежьэри щIы хъурейр зэхикIухьащ. Дэни щыщIоупщIэ: — Ажал щыIэ мыбыи? — ЩыIэщ, — къыжраIэ. ЩIалэм игу хэщIащ. И щхьэр къыфIэхуауэ къикIухьурэ, щыхь ирихьэлIащ. Щыхьым еупщIащ: — Ажал здэщымыIэ пщIэрэ? — Ажал здэщымыIэ бгъуэтынукъым, — къыжриIащ щыхьым. — Си бжьэр уафэм щIэуэху сыпсэунурэ сэри сылIэнущ. Гъусэ укъысхуэхъумэ, уэри упсэунущ апщIондэху. ЩIалэм идакъым: — ИгъащIэкIэ сыпсэун щхьэкIэщ сыкъыщIалъхуар, си нэр абы къыхуимыкIатэмэ, сыкъежьэххэнтэкъым, сыкъыщалъхуам сыщылIэжынт, — жери. Зы къуэладжэ дыхьауэ, къуаргъ ирихьэлIэри еупщIащ: — Ажал здэщымыIэ щIыпIэ пщIэрэ? — СщIэркъым, — къыжриIащ къуаргъым. — Мы къуэладжэр къуаргъыцкIэ згъэнщIыху сыпсэунущ сэ, згъэнщIа нэужьщ сыщылIэнур. Уемыжьэж, сэ дунейм сытетыху упсэунщ уэри. Ежьэжри, Iэджэрэ къикIухьащ щIалэм, дуней псор зэхикIухьащ — ажал здэщымыIэ ирихьэлIакъым. ЗэхэзекIуэурэ, и анэм хуэзэшащ щIалэр. Дапщэрэ зэхэзекIуа — езы дыдэми ищIэркъым: махуэри, мазэри, илъэсри хуэбжакъым. И анэм щыхуэзэшым, и жылэ къигъэзэжащ щIалэм. КъыщыкIуэжым, къуэладжэм дыхьати, къуэладжэм къуаргъыцыр дэзт. Щыхьым и бжьэр уафэм зэрыщIэуари илъэгъуащ: езы щыхьыр и псэм йоджэ, лъэгуажьэмыщхь зищIауэ. Зэрежьэрэ куэд дыдэ зэрыщIар къыгурыIуащ щIалэм. Я жылэ дыхьэжа щхьэкIэ, зыми къицIыхужакъым. Зы лIыжь ирихьэлIати, еупщIащ: — Си анэм и хъыбар пщIэмэ, къызжепIэркъэ? — Си адэми си адэшхуэми къызжаIауэ щытащ фызабэ гуэр ди жылэ зэрыдэсар. Ар зэрылIэрэ незэман! Уэ иджыри къэс дауэ упсэуа? — къеупщIащ лIыжьыр. — Куэд щIакъым сэ сызэрежьэрэ — тхьэмахуэ гъуэгу сытетауэщ къызэрысщыхъур, — жиIащ щIалэм. — Ущоуэ, — къыжриIащ лIыжьым. — ЛIэщIыгъуэм щIигъуащ узэрежьэрэ. Я унэ лъабжьэжьщ щIалэр зрихьэлIэжар. — ЩIы фIыцIэм щIыхьэжынущ псори, уахътыншэ щыIэкъым, — жиIащ щIалэм, и щхьэр я лъапсэжьым къихьэсыжри. ЩакIуэм и къуэ ЩАКIУЭР лIэри щIалъхьэжащ. Зы къуэ къыщIэнащ абы. КъыдэкIуэтейри, и анэм еупщIащ щакIуэм и къуэр: — Сыт и IэщIагъэт си адэм? — жери. — ЩакIуэу щытащ уи адэр, — къыжриIащ щIалэм и анэм. — Сэри сыщэкIуэнущ, нэгъуэщI IэщIагъэ сыхуейкъым, — жиIащ щIалэм. — ЩакIуэ, ауэ ущыщэкIуэнур бгы хужьымрэ бгы фIыцIэмрэщ, бгы плъыжьым уимыхьэ, — къыжриIащ щIалэм и анэм. ЩакIуэ ежьащ щIалэр. Бгы хужьымрэ бгы фIыцIэмрэ щыщэкIуащ — зыри къыпэщIэхуакъым. Бгы плъыжьым ихьащ итIанэ. Пшапэр щызэхэуэм жыг щIагъым щIэуващ щIалэр. Жыгыщхьэм мэз адакъэ исти, адакъэр къиукIащ щIалэм, и анэм къыхуихьащ. — Пащтыхьым хуэхь мэз адакъэ дахэкIейр, — къыжриIащ и анэм. — Пащтыхьым и пщIантIэм назирхэмрэ уэзирхэмрэ къыщыпIущIэмэ, «адакъэр къыдэщэ» жаIэнущи, ещэ. Йумыщэмэ, ущIегъуэжынщ. Пащтыхьым и пщIантIэм назирхэмрэ уэзирхэмрэ къыщыIущIащ. — Адакъэр къыдэщэ, тумэн тIощI удот, — къыжраIащ назирхэмрэ уэзирхэмрэ. Ярищакъым адакъэр: — Пащтыхьыращ адакъэр къызыхуэсхьар, — жери. — Мы щIалэм хуэхьынум хуэдиз налкъутналмэс ефт, — яжриIащ пащтыхьым назирхэмрэ уэзирхэмрэ. Назирхэмрэ уэзирхэмрэ щIалэм мэжаджэ Iыхьэрэ кхъуей бзыгъэрэ кърагъэшхащ, санэ фалъэ кърагъафэри, пащтыхь пщIантIэм къыдахужащ. ЩIалэр и унэ кIуэжащ. Назирхэмрэ уэзирхэмрэ пащтыхьым бзэгу хуахьащ: — Хы хужьымрэ хы плъыжьымрэ я тIуащIэм пщащэ тхьэIухуд щопсэу, уэ пхуэфащэт а пщащэ тхьэIухудыр. — Хэт къысхуихьын пщащэ тхьэIухудыр? — щIэупщIащ пащтыхьыр. — Адакъэр къыпхуэзыхьам пщащэри къыпхуихьыфынущ. Пащтыхьым щIалэр ириджащ. — Хы хужьымрэ хы плъыжьымрэ я тIуащIэм щыпсэу пщащэ тхьэIухудыр къысхуэхь, — къыжриIащ пащтыхьым. И цыр уауэ и анэм деж къигъэзэжащ. — Пащтыхьым си пщэ къыдилъ-хьар схузэфIэкIынукъым, аращ сыщIэнэщхъейр, — жриIащ щIалэм и анэм. — Тегъази, пащтыхьым ахъшэ щхьэкIэ елъэIу. Къуитмэ, ахъшэ хуэныкъуэ гуэр гъуэгум ущрихьэлIэнкIэ хъунущи, ар абы IэщIэлъхьэ, -къыжриIащ щIалэм и анэм. Пащтыхьым деж кIуэри, ахъшэ щхьэкIэ елъэIуащ. — Хуэхьынум хуэдиз ефт мы щIалэм, — яжриIащ пащтыхьым и назирхэмрэ уэзирхэмрэ. Гъуаплъэ ахъшэщ назирхэмрэ уэзирхэмрэ ягу пыкIар. КъыздэкIуэжым щIалэ цIыкIу зыбжанэ ирихьэлIащ. Къашыргъэ къаубыдауэ яфыщIырт щIалэ цIыкIухэм: — Къашыргъэр тфыщIынурэ и цыр тщэнущ, — жари. — ФымыфыщI, футIыпщыж, сэ гъуаплъэ ахъшэ фэстынщ, — яжриIащ. Щылъэтэжым къашыргъэм къыжриIащ: — Си зы къабзий узот, гузэвэгъуэ уихуэмэ, къыпщхьэпэжынкIэ мэхъу. Ежьэри, псыхъуэм дыхьащ щIалэр. Ныджэм телъ бдзэжьей цIыкIу ирихьэлIащ. Бдзэжьейр псым хиутIыпщхьэжащ. — КъысхуэпщIар сщыгъупщэнкъым, — къыжриIащ бдзэжьейм. Ежьэжауэ щакIуэ ирихьэлIащ щIалэр. Аркъэн идзри, щакIуэм щыхь къиубыдати, сэр мывэупцIэм дидзэрт. — Щыхьыр умыукI, и уасэр уэстынщ, — жери щIалэм щыхьыр иутIыпщыжащ. ЩакIуэм и хьэджафэм зы бажэ хигъэзыхьауэ ирихьэлIащ щIалэр. Бажэр и гуфIакIэм дигъэтIысхьэри, къежьэжащ. ЩакIуэр къыхуэзащ: — Бажэ къыпIэщIэмылъэгъуауэ пIэрэ? — Слъэгъуакъым, — жери щакIуэм къыблихщ бажэри, иутIыпщыжащ. — Зэгуэр сыкъыпщхьэпэжынкIэ мэхъу сэри, — къыжриIащ бажэм. Пщащэ тхьэIухудыр зыдэс тIуащIэм дыхьащ щIалэр. — Сытым укъылъежьа? — къеупщIащ тхьэIухудыр. — Пащтыхьым ухуэсхьынущ, си пщэ кърилъхьащи. Аращ сыкъыщIежьар, — жиIащ щIалэм. — Сэ сыпхьын щхьэкIэ, щэнейрэ зысфIэбгъэпщкIун хуейщ. ЗысфIэбгъэпщкIурэ укъэзгъуэтмэ, уи щхьэр пезгъэупщIынущ, — къыжриIащ тхьэIухудым. — Уэ пхуэдищэм я щхьэр пезгъэупщIауэ бжыхь щхьэкIэм фIэлъщ, уэри аращ уэсщIэнур. Гузэвэгъуэ щыхэхуэм, къашыргъэм и къабзийр къищтащ щIалэм. Къашыргъэр къэлъэтащ: — Сыт ухуейт? — къеупщIащ къашыргъэр. — СыгъэпщкIу, тхьэIухудым сыкъигъуэт хъунукъым. ЩIалэр игъэшэсри, уэгум ирихьащ къашыргъэм. ТхьэIухудыр гъуджэм иплъащ, щIалэр уэгум зэритыр гъуджэм ирилъэгъуащ. ТхьэIухудым деж къигъэзэжри, еупщIащ: — Сыкъэплъэгъуа, дэнэ зыщызгъэпщкIуар? — Услъэгъуащ, уэгум уитащ, — къыжриIащ тхьэIухудым, — КIуэ, иджыри зыгъэпщкIу. Псыхъуэм дыхьащ щIалэр. Дыщэ бдзэжьейр къеупщIащ: — Сыт ухуей? — СыгъэпщкIу, аращ сызыхуейр, — жиIащ щIалэм. ЩIалэр псы щIагъым щIихьащ бдзэжьейм. ТхьэIухудыр гъуджэм иплъащ, щIалэр псы щIагъым зэрыщIэсыр илъэгъуащ. — Иджыри зэ зыгъэпщкIу, — къыжриIащ тхьэIухудым. Гузэвэгъуэ щыхэхуэм, щыхьыр къэсащ щIалэм деж: — Сыт ухуейт? — СыгъэпщкIу, аращ сызыхуейр, — жиIащ щIалэм. Щыхьым ирихьэжьэри, щIалэр къуэладжэ куум дихьащ. Гъуджэм иплъэри, щIалэр къуэладжэ куум зэрыдэсыр илъэгъуащ тхьэIухудым. — Иджыри зэ зызгъэгъэпщкIу, — елъэIуащ щIалэр тхьэIухудым. — ЗыгъэпщкIу. Укъэзгъуэтмэ, уэсщIэнур бжесIакIэщ. Бажэр къриджащ щIалэм. — Сыт пхуэсщIэфынур? — къеупщIащ бажэр. — СыгъэпщкIу, пщащэ тхьэIухудым сыкъигъуэт хъунукъым. — Жыжьэ усхьынкъым, — къыжриIащ бажэм. — Пщащэм и сэрейм ущызгъэпщкIунщ. Сэрей щIыунэм щигъэпщкIуащ щIалэр. Гъуджэм иплъа щхьэкIэ, щIалэр къыхуэгъуэтакъым тхьэIухудым. Гъуджэр хыфIихуащ. НэгъуэщI гъуджэ иплъащ — абыкIи къыхуэгъуэтакъым. — Пащтыхьым сыдэкIуэнукъым, — къыжриIащ тхьэIухудым. — Уэ сыхь. Пщащэ тхьэIухудыр тIуащIэм къыдихри къежьэжащ щIалэр. Шыпхъу закъуэ МэкъумэшыщIэм къуибгъу иIэт. «Зыпхъу сиIащэрэт», — жиIэрейт, и нэ къыхуикIырти. Зэшибгъур щакIуэ ежьэурэ мэзым щIэтт, шыпхъу яIамэ, гуфIэнут ахэри. Зэшхэм я анэр уэндэгъушхуэти, жраIащ: — Дыкъэтыху иджыри зы къуэш къытхуэплъхумэ, бжэщхьэIум бжьы тегъэувэ, шыпхъу къытхуэплъхумэ, бжэщхьэIум цыкIуэкI тебгъэувауэ дыкърегъэхьэлIэж. Зэшибгъур къэтыху, я анэм шыпхъу къахуилъхуащ. И къуэхэр къызэригъэгугъар арати, бжьэщхьэIум цыкIуэкI тригъэуващ. Я гъунэгъу фызыр къакIэщIэдэIухьати, цыкIуэкIыр игъэпщкIури, бжьэщхьэIум бжьы тригъэуващ. Зэшхэм къагъэзэжащ. Бжьыр щалъагъум, жаIащ: — Ди анэм къуэш къытхуилъхуащ, ар хурикъунущ ди анэм, дэ къытхуэныкъуэжынукъым. ЩакIуэ ежьэжащ зэшибгъур. ЩакIуэ ежьэри загъэбзэхащ, къагъэзэжакъым. Я шыпхъур къыдэкIуэтеящ. ПщIантIэм щыджэгуурэ, зы хъыджэбз цIыкIу къыщыIеящ зэшибгъум я шыпхъум. Къегиящ: — Уи дэлъхухэр зытекIуэдар уэращ. Уи зэранкIэ ежьащи, щыхэтыр уи анэми, уи адэми ящIэркъым, — жери. Зэшибгъум я шыпхъу цIыкIур унэм щIэлъэдэжащ: — Дэлъхуибгъу сиIэр пэж? — щыхьащ и анэм. — Иджыри къэс зыри щхьэ къызжумыIарэ? — Уи дэлъхухэр зытекIуэдар ди гъунэгъу фызращ. Уэ дунейм укъыщытехьэм бжэщхьэIум тезгъэува цыкIуэкIыр бжьыкIэ зэблихъуащ ди гъунэгъу фызым. Шыпхъу къызэрыхуамылъхуар я гум щIыхьэри, уи дэлъхухэр унэм икIащ, Iэджэ щIащ абы лъандэрэ, зыми тщIэркъым увыIэпIэ яхуэхъуар, — жриIащ анэм ипхъу закъуэм. «Си дэлъхуибгъум увыIэпIэ яхуэхъуар къэзмыщIауэ сыкъекIуэлIэнкъым», — жери хъыджэбз цIыкIур ежьащ. Гъуэгуанэ кIыхь зэпичащ. Зы тэхъуанэ ирихьэлIащ зэгуэрым. Тэхъуанэм щIэплъащ — зыри щIэскъым. — Хэтми, зыгуэр щопсэу тэхъуанэм, — жиIащ хъыджэбз цIыкIум. — СеплъэкIуэнщи, зэзгъэщIэнщ щIэсыр. Пшапэр зэхэуауэ, щакIуэ къикIыжри, пщIантIэм щIалибгъу къыдыхьэжащ. Хъыджэбз цIыкIум и псэм ищIащ: «Си дэлъхухэращ». Нэху щыри, щIалэхэр щакIуэ ежьащ. Ахэр пщIантIэм дэкIа нэужь, хъыджэбз цIыкIур тэхъуанэм щIыхьащ, тэхъуанэр къипхъэнкIащ, къилъэсащ, пщафIэри ипщэфIар Iэнэм къытригъэуващ. Езым зигъэпщкIужащ. Зэшибгъур пщыхьэщхьэм къыдыхьэжащ: тэхъуанэр зэлъыIухащ, Iэнэм шхын тетщ. — Зыгуэрым игу къытщIэгъуащ, — жаIащ зэшхэм. — Тэхъуанэр щызэлъыIуихакIэ, щытхуэпщэфIакIэ игу Iей къытхуилъкъым. Дауэ къэдумыса зэрыхъунур? ШынэхъыщIитI пщIантIэм къыданэри, зэшхэр щакIуэ ежьащ, нэху ща нэужь. ШынэхъыщIитIым къуэгъэнапIэ защIащи, ялъагъу тэхъуанэм зы пщащэ зэрыщIыхьэр. Щыхагъэзыхьым, пщащэм псори къажриIащ. ЩIалитIым шэч къытрахьэжакъым пщащэр зэрашыпхъум. ЩакIуэ ежьахэми къагъэзэжащ пщыхьэщхьэм, абыхэми закъригъэцIыхуащ пщащэм. Гъусэ зэхуэхъужауэ зэдопсэу абы лъандэрэ: зэшибгъур щакIуэ йожьэ, пщащэм тэхъуанэр зэлъыIуех, мэпхъанкIэ, мэлъасэ, и дэлъхухэм яхуопщафIэ. ЩакIуэ щежьэкIэ, пщащэм и дэлъхухэм къыжраIэ: «Жьэгум дэлъ мафIэр зэхыумыгъэкIыж закъуэ». ТеплъэкъукIри, жьэгум дэлъ мафIэр фIызэхэкIыжащ зэшибгъум я шыпхъум. КъыщыщIар и щхьэм дэуейри, пщащэр ежьащ: «МафIэ къэзмыгъуэтауэ къэзгъэзэнкъым», — жери. Iугъуэ къыIэщIэлъэгъуащ. «Iугъуэ здэщыIэм мафIи щыIэщ», — жери кIуащ. Зы фызыжь ирихьэлIащ. Цы еджри щысщ фызыжьыр, и бгъэр къыдэдзащ. — МафIэхьэ сыкъэкIуащ, — жиIащ пщащэм. — МафIэ къызэт. Фызыжьым мафIэ къритащ, джэдгыни къыщIигъуащ: — Джэдгыныр гъуэгум щипкъухьурэ кIуэж, етIуанэ гъуэгу укъежьэмэ, джэдгыным уригъуэзэнщ. Фызыжь щхьэц бацэр иныжьым и анэрат. Иныжьыр къыдыхьэжащ жэщ хъуауэ. — Фу цIыхумэ! Хэт ди деж къэкIуар? — и анэм еупщIащ иныжьыр. — Абы ухуеймэ, улъэщIэхьэнущ джэдгынымэм уригъуазэурэ, — къыжриIащ и анэм. Иныжьыр джэдгынымэм иригъуазэурэ зэшиблым я тэхъуанэм нэсащ. Зэшхэр щакIуэ ежьат, тэхъуанэм къыщIэнар я шыпхъум и закъуэт. — Бжэр Iух, уи дэлъхухэр къэсыжащ, — жиIащ иныжьым, и макъым зригъэхъуэжри. Пщащэм бжэр Iуихакъым — иныжьым зыкъригъэгъэпцIакъым. Зэшхэр пщыхьэщхьэм къыдыхьэжащ. Иныжьым и хъыбар яжриIащ я шыпхъум. — Игу фIы илъкъым абы! — жаIащ зэшхэм. — ЩакIуэ дыщIежьэр арати, и хэщIапIэр къэдбгъэщIащ: джэдгынымэм дригъуазэурэ дыкIуэнщи, и унэ идукIыхьыжынщ иныжьыр. Аращ иращIар иныжьым: и пIэ кърагъэкIакъым, и унэ щIаукIыхьыжащ. Я шыпхъур къыздашэжри, я анэмрэ я адэмрэ деж къэкIуэжащ зэшибгъур. Бажэмрэ ныбгъуэмрэ Бажэр шхакъуэри, хьэлъэ хъуащ, зыхуэгъэхъеижыркъым. Къэгузавэри, ныбгъуэм еджащ. — Ныбгъуэ цIыкIу, сышхэкъуащи, си лъэр щIэнащ. Сыт си хущхъуэгъуэ? Си хущхуэгъуэр пщIэмэ, къызжеIэ. — СощIэ, — жиIащ ныбгъуэм. — Сэ сылъэтэнщ, уэ си ужь ниуви, ныскIэлъыжэ. Зыкъомрэ къэбжыхьмэ, пшхар пщыкIуэнущ. Ныбгъуэр лъэтащ, бажэр абы и ужь иуващ. Ишхар игъэтIысыху, къэувыIакъым бажэр. — «Уэху!» жысIэжаи! — гуфIащ бажэр, псынщIэ щыхъужым. — Иджыри сыт ухуей? — къеупщIащ ныбгъуэр. — Сшхар сщыкIуа нэужь, сыдыхьэшхащэрэт жызоIэ. — Ар Iуэху-тIэ! Бажэр иришажьэри, ныбгъуэр хьэмым лъэтащ. Вым и бжьакъуэм фIэтIысхьащ ныбгъуэр. Выр зейр къыхуилъащ, баш къриутIыпщащ. Ныбгъуэм техуакъым башыр, вым и бжьакъуэр триудащ. Бажэр дыхьэшхыурэ ныбафэуз хъуащ: — Хуэзэр епщIащ вакIуэ жьэрыплъэм! — жери. Къилъэтыхьурэ, вакIуэм и гъуэмылэм ирихьэлIащ ныбгъуэр. ВакIуэм мывэ къриутIыпщащ. Мывэр шхупс зэрыт кхъуэщыным техуащ. Бажэр тIысауэ мэдыхьэшх: «Зэрыделэ мы вакIуэр!» — Ирикъункъэ узэрызгъэдыхьэшхар? — къеупщIащ ныбгъуэр бажэм. — Си нэгу зебгъэужьащ нобэ, — жиIащ бажэм. Къижыхьурэ къэмэжэлIати, ныбгъуэр IуипIэн мурад ищIащ бажэм. — СыкъэмэжэлIэжащ, ныбгъуэ цIыкIу. — Сыт-тIэ нэхъ узыхуейр? — Усшхащэрэт жызоIэ. — Щыгугъ абы! — жери ныбгъуэр лъэтэжащ. — ДяпэкIэ кIуэгъу-жэгъу сыкъыумыщI. Услъэгъуакъым, сыкъэплъагъужакъым. — Алъандэм узыIурыздзэн хуеящ, бетэмал! — жери бажэм и щхьэр ирихьэжьэжащ. Хьилэшы Хьэсэм щхьэмыж къыщищыпащ бажэм. И блэгущIэм зы пхыр щIилъхьэри ежьэжащ. «Мэш пхырым насып къысхудэкIуэнкIэ мэхъу», — жиIащ. Ежьэжауэ, жэщ къытехъуащ бажэм. Зы пщIантIэ дыхьэри, джащ: — СыгъуэгурыкIуэщ, фи унэ ныжэбэ сивгъэсын? — жери. — Еблагъэ! — къыжраIащ. Ирагъэблэгъащ. — Мэш пхыр къыздесхьэжьащи, фи джэдэщым щIэзвгъалъхьэ. Бажэм и мэш пхырыр джэдэщым щыфIадзащ. Жэщ ныкъуэ хъуауэ, джэдэщым кIуащ бажэр. Джэдым къелаIатэкъым — мэш пхырыр IуапIакIэт. Нэху игъэщри, бажэм япиубыдащ: — Си мэш пхырыр фи адакъэм IэщIэкIуэдащ. Къэфпшыныж! — СыткIэ къэтпшыныжын? — Мэш пхырыр зыIэщIэкIуэдар адакъэращи, адакъэр къызэфт. Сыт ящIэнт: адакъэр бажэм иратащ. Адакъэр ирихьэжьэри ежьэжащ. Махуэ гъуэгу икIуауэ, жэщ къытехъуащ бажэм. Жэщ къыщытехъуэм, мэлыхъуэ пщыIэ техьащ. — Си адакъэм фытеплъэкъукIрэ гъэлъэхъум IэщIэвгъэкIуэдамэ, сывгъэунэхъуащ, — яжриIащ мэлыхъуэхэм. — ДытеплъэкъукIынкъым. — Нэхущым маIуэри, сыкъегъэуш адакъэм. Ар симыIэжмэ, сыхэжеенущ. Жэщыр мэлыхъуэ пщыIэм щрихащ бажэм. Нэху щымэ — адакъэр гъэлъэхъум IэщIэукIауэ къыщIэкIащ. — Си адакъэр зыIэщIэкIуэдар гъэлъэхъуращ. Гъэлъэхъур къызэвмытмэ, бэлыхь фыхэздзэнщ, — жиIащ бажэм. Гъэлъэхъур къратын хуей хъуащ — бэлыхь зыхрагъэдзэнт зы гъэлъэхъу щхьэкIэ! Гъэлъэхъур ирихужьэри ежьэжащ бажэр, жэщ къыщытехъуэм зы унагъуэ еблэгъащ. Унагъуэм зы выщIэ къаIэщIигъэкIащ, пцIы яхуиупсри. Гъэлъэхъумрэ выщIэмрэ ирихужьэри, гъуэгу техьэжащ бажэр. Бгым щыдз ЗылI мэкъуауэ дэкIащ, шэмэдж къищтэри. МэкъупIэм ит мей жыгым и лъабжьэм зы мыщэ щIэлъщ, мы гуащIэ ишхыурэ шхэкъуауэ. Шхэкъуащи, мыщэм зыхуэгъэхъеижыркъым. Къыщиудауэ мэдыхьэшх лIыр: — ИгъащIэм слъэгъуакъым уэ пхуэдэ мыщэ. Сыт къохъулIар? — Сышхакъуэри, хьэлъэ сыхъуащ — аращ къысщыщIар. СумыIуэтэж, жылэм сахыумыгъаIуэ, — жиIащ мыщэм. — УсIуэтэжынкъым, — жиIащ лIым. — Си мэкъупIэр умыутэ закъуэ, жыг щIагъым щIэлъ. Мэкъу еуэри, лIыр ежьэжащ. «СиIуэтэжынкIэ мэхъу», — жери шэч ищIащ мыщэм, лIым и ужь иуващ. И унэ нэсыжри, лIым и щхьэгъусэм мыщэм и хъыбар хуиIуэтэжащ. Мыщэр къыкIэлъыкIуауэ къакIэщIэдэIухьырти, зэлIзэфызыр къазэрыщIэнакIэр зэхихащ. — СыхулIэ апхуэдэ мыщэ, — жиIащ фызым. Нэху щыри, лIыр мэкъуауэ дэкIащ. Абы и мэкъупIэм зригъэзэгъауэ, мыщэр жыг щIагъым щIэлъщ. Мыщэр щилъагъум, лIым и псэр и лъэдакъэпэм нэсыжащ. Шэджагъуэ хъури, фызым гъуэмылэ къыхуихьащ. — Мыщэр къызэуэсащ, сыIэщIэкIуэдэнкIэ сошынэ, — жиIащ лIым. — Сыт ущIыIэщIэкIуэдэнур? — И хъыбар дыгъуэпшыхь зэрыпхуэсIуэтэжам щхьэкIэ. Гъуэмылэр къигъанэри, фызыр ежьэжащ. Гъуэмылэм хэIэбакъым лIыр, и щхьэр къыфIэхуауэ щысщ, мыхъумышхэ хъуащ. Блэжрэ пэт, бажэр кърихьэлIащ. ЛIым и щхьэр зэрилажьэм гу лъитэри, бажэр къеупщIащ: — Щхьэ узэхэуа, сыт ущIэнэ- щхъейр? — Сынэщхъеинкъэ, — жиIащ лIым. — Мыщэр си мэкъупIэм хэсщ, сыIэщIэкIуэдэнкIэ сошынэ. — Сэ укъыIэщIэсхынщ мыщэм, — къыжриIащ бажэм. — Мо Iуащхьэм сыкъытеувэнщи, сэ сыкъэджэнщ. Уэ шэмэджыр къащти, мэкъу еуэ. Iуащхьэм къытеувауэ, къоджэ бажэр: — Мыщэ къыпIэщIэмылъэгъуауэ пIэрэ, си нэфI зыщыхуэн? — «Слъэгъуакъым» жыIэ. ГущIэгъу пхуэсщIынщ, уи мэкъупIэм сикIыжынщ, — къехъуцэцащ мыщэр. — Слъэгъуакъым, — жиIащ лIым. — Жыг щIагъым щIэлъыр сыт-тIэ? ЩакIуэр мыщэм къылъежьащи, игъуэтыркъым. — «Пхъэдакъэжьщ» жыIэ, — къохъуцацэ мыщэр. — Пхъэдакъэжьщ. — Пхъэдакъэжьмэ, гум илъхьэ, — къэджащ бажэр. Мыщэр гум ирилъхьащ лIым. — Гур бгъэуфэрэкIмэ, пхъэдакъэжьыр къихунщ. КIапсэ лэрыгъукIэ ипхэ. Мыщэр гум ирипхащ лIым. — Мо нэпкъым ешалIи, пхъэдакъэжьыр бгым щыдз иджы! — къэджащ бажэр. ЛIым мыщэр бгым щидзащ. Куржым и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм щыIэ Сигнахи къалэ цIыкIур. 1968 гъэ Бзу шырищ Жыгыщхьэм щыкIэцIри, бзум шыр цIыкIуищ къыщришащ. Бажэр ещакIуэ хъуащ бзум и шырхэм. Жыг щIагъым зыщIигъэзагъэри, бзум еджащ бажэр: — Бзу тхьэмыщкIэ! КIэ уэстынущ, узгъэунэхъунущ. — Сыт кIэ къыщIызэптынур, сыт сыщIэбгъэунэхъунур? — гъынэнащ бзур. — СомэжалIэри, уи шырищым щыщ зы къысхуедзых. Къысхуумыдзыхмэ, пхъэх къэсхьынурэ жыгыр къэзгъэуэнущ. — Къыумыгъауэ. Дауэ сыхъун, жыгыр къэбгъауэмэ? — Къэзгъэуэнкъым, уи хьэтыр слъагъунщ, зы шыр къысхуебдзыхмэ. Сыт ищIэнт бзум: бажэм зы шыр къыхуридзыхащ. Шырыр IуипIэри, бзум еджащ бажэр: — ЗызгъэнщIакъым, иджыри зы шыр къысхуедзых. Къысхуумы-дзыхмэ, къызжиIакъым жумыIэж: пхъэх къэсхьынурэ жыгыр къэзгъэуэнущ. ЕтIуанэ шырри къридзыхащ бзум. АбыкIи зигъэнщIакъым бажэм: бзу шырым и лыр IэфI къыIурыхъуащ. — ЗызгъэнщIакъым: ещанэри къысхуедзых. Къысхуумыдзыхмэ, уэсщIэнур бжесIакIэщ. Ещанэри къридзыхащ бзум. Ари IуипIащ бажэм. IуипIащи, зыIуробзае. «Мыр си дежи къэсынущ», — жиIэри къэгузэващ бзур, зиIэтри, жыгыщхьэм илъэтыкIащ, къилъэтыхьурэ нэгъуэщI жыгыщхьэ итIысхьауэ мэгъынанэ. ЩакIуэм къилъэгъуащ жыгыщхьэм щыгъынанэ бзур. — Щхьэ угърэ, бзу цIыкIу? Сыт къэхъуар? — къеупщIащ щакIуэр. — Сыгъынкъэ, — жиIащ бзум. — Шырищ къисшати, бажэм сфIишхащ. — Сэ хуэфI сыхъункъэ а кIэ бацэм! НакIуэ, сышэ бажэм и гъуэм, — жиIащ щакIуэм, и фочыр игъэпкIри. Бзум щакIуэр иришэжьащ. И гъуэм къикIауэ дыгъэ зригъэурти, щакIуэм и фочыр триубыдащ бажэм. Лъэбакъуэ иригъэчакъым бажэм — еуэри къиукIащ. Хэт нэхъыжь? ХъуакIуэщакIуэ ежьауэ, мыщэм, дыгъужьым, бажэм зы танэ псэхэлIэ къапэщIэхуащ. — Щы дохъу, щыри дымэжэщIалIэщ. Танэр тхурикъункъым, — жиIащ бажэм. — ЛIо-тIэ тщIэнур? — жиIащ мыщэм. — Танэр нэхъыжьым ишхынщ, — жиIащ дыгъужьым. — Хэт нэхъыжьыр? — Нэхъыжьыр япэ къалъхуаращ, — жиIащ дыгъужьым. — Уафэр щызэпцIагъащIэм, щIылъэр щымыджэ-мыпцIэм сыкъалъхуащ сэ. Бажэм и нэпсым къызэпижыхьащ. — Щхьэ угърэ? — Сыгъынкъэ: уафэр щызэпцIагъащIэм, щIылъэр щымыджэмыпцIэм си къуэ нэхъыщIэр къашыргъэм ипхъуатэри, уэгум иришхыхьауэ щытащ, — жиIащ. Мыщэр къэгузэващ: «Мы тIум танэр сIэщIагъэкIынущ», — жери. Пхъуэри танэ псэхэлIэр зрилъэфэлIащ. — СыныводаIуэри, дыгъужьми бажэми ныбжьышхуэ фиIэщ. ФимыIэр щхьэщ: ныбжьыракъым нэхъыщхьэр, нэхъыщхьэр зи уэлиигъуэращ. Зи уэлиигъуэр сэращи, танэр сэ сшхынщ, — жиIащ мыщэм. Дыгъужь кIэбдз Аслъэныр сымаджэ хъури гъуэлъащи, дунейкъытехьэ иIэкъым. ХьэкIэкхъуэкIэхэр щIэупщIакIуэ къыхуокIуэ. Бажэр къакIуэркъым. — Дэнэ щыщIэвэщIа бажэр? — мэшхыдэ аслъэныр. — Сызэрысыма-джэр жефIакъэ? — ЖетIащ. УкъыфIэIуэхуакъым. — Аслъэныр сымаджэ хъуа щхьэкIэ гузавэрэ бажэр? — и дзэлыфэр итIащ дыгъужьым. — И цыр хуэщын хуейщ абы, и пэр щIым щыхуэн хуейщ! — Аращ хуэфащэр а нэжэсым! — мэгурым аслъэныр. Бажэм бзэгу хуахьащ: дыгъужьым пхуэмыфащэ жеIэ, аслъэныр къызэрыпщигъэIеинщ зыхэтыр, умыбэлэрыгъ, уи цыр пхуащынущ. — Зи цыр зыхуащ езгъэлъагъунщ сэ абы! ИремыпIащIэ! — жиIащ бажэм. Тхьэмахуэ дигъэкIри, бажэр аслъэным деж щIэупщIакIуэ кIуащ. — Иджыри къэс щхьэ укъысщIэмыупщIарэ? Уигу къысщIэузыркъэ? Хьэмэ сызэрысымаджэр зэхыумыхауэ ара? — къегиящ аслъэныр бажэм. — Зэхэсхащ. Тхьэмахуэ мэхъу зэрызэхэсхрэ. Iэзэ сыпхуэлъыхъуащ, аращ сыкъыщIэгувар, — жиIащ бажэм. — Къэбгъуэта-тIэ? — Къэзгъуэтащ. Хущхъуэ пхуэхъунури къызжиIащ. — Сыт? — Дыгъужь кIэбдз пшхымэ, ухъужынущ — аращ Iэзэм къызжиIар. Ар щызэхихым дыгъужьым и цыр уащ. И цыр зэрыуам щхьэкIэ гущIэгъу хуащIакъым: и кIэбдзыр къыщIагъэжри аслъэным и пащхьэ иралъхьащ. Пхуэфащэр уэсщIэнщ КIуэри, бажэм и гъуащхьэм зыщигъэукIуриящ мыщэм. Бажэр гъуэм къиплъащ: — Щхьэ укъэджэда, сыт узы- хуейр? — СыкъыщIэджэдар пщIэркъэ? УзгъэщэкIуэнущ. Къуажэм дыхьи, джэд бгъуэтми, къаз бгъуэтми, къысхуэхь, щынэ къысхуэпхьми, зытезгъэгусэнукъым, — жиIащ мыщэм. — КIуэ, ежьэ, ирикъунщ гъуэм узэрибэмпIыхьар. Сыт ищIэнт бажэм — мыщэм пэлъэщынутэкъым. Къуажэм дыхьэри, джэд къихьащ. Тригъазэри, къаз къихьащ. — Щынэ урихьэлIакъэ? Щынэ щхьэ къысхуумыхьарэ? — къыщIэгубжьащ мыщэр. Бажэм зы щынэ къыдихуащ къуажэм. Щынэри иригъэмэрэкIуэхащ мыщэм. Мыщэм фIэкI Iуэху иIэжтэкъыми, и щхьэр къыIэщIэужэгъуащ бажэм, мэжэщIалIэ хъуащ. «Абы фIэкIмэ, кIэ згъуэтынущ», — жиIащ бажэм игукIэ. — Сэ кIэ сымыгъуэт щIыкIэ, мыщэ бэлацэм кIэ естынщ». Зы дэ къыIэрыхьащ бажэм. Дэр икъутауэ ешх. — Сыт сыхэбнауэ пшхыр? — къыхуилъащ мыщэр. — Си зы нэр къисчыжауэ сошх, — жиIащ бажэм. — Нэм нэхърэ нэхъ IэфIрэ фIэIурэ дэнэ къипхын! — Пэж къызжепIэр? — Пэж зэфэзэщщ. Уи фIэщ мыхъумэ, уи зы нэр къичыжи, шхыт. Мыщэм и зы нэр къричыжащ. — Пэжи къызжепIэр! — гуфIащ мыщэр. — Нэхъ IэфI си джийм ехакъым игъащIэм. Бажэм зы дэ икъутащ аргуэру. — Сыт иджыри пшхыр? — хуеплъэкIащ мыщэр бажэм. — Си нэ етIуанэри къисчыжауэ сошх, — жиIащ бажэм. Мыщэми и нэ етIуанэр къричыжри ишхащ. — Ныджэм къаз хъушэ щыслъэгъуащ. ДыгъакIуэ, къазкIэ зозгъэтIыжынщ, — жиIащ бажэм. — Дауэ сызэрынэкIуэнур, си нитIыр къисчыжри нэф сыхъуащ, зыри слъагъужыркъым. — Сэ усшэнщ, — жиIащ бажэм. — Си кIэр къэубыд. Мыщэр къыщыпщащ, бажэм и кIэр иубыдри дежьащ. — Лъэбэдий умыщI, сымэжэлIауэ солIэ, нэхъ псынщIэIуэу накIуэ. Зыбгъэжьажьэурэ къаз хъушэм дыхэбгъэкIыжынущ, — жиIащ мыщэм. Мыщэр щыхупIэ задэ иришэлIащ бажэм. — Дыкъэса? — Дыкъэсащ. НапкIэ! УнапкIэмэ, къаз хъушэм уахэтIысхьэнущ, — жиIащ бажэм, мыщэр щыхупIэ задэм иришэлIа нэужь. — СынопкIэ! Уэри ныскIэлъелъэ! — жери мыщэр щыхупIэм елъащ. Мыщэм кIэ иритри, и гъуэм зригъэзэгъэжащ бажэм. Хэт зи лажьэр? ХъуакIуэщакIуэ ежьауэ, бажэр къаз хъушэ ирихьэлIащ. «Мы хъушэм зы къаз къахэзудкIэ жылэр унэхъункъым, сэ сытхъэжынущ», — жери бажэр къаз хъушэм яхэлъэдащ, жылэм нэсыху хъушэм я ужь къикIакъым. Жылэм нэсауэ, хьэм къаумысащ бажэр. И щхьэр къыщIихьэри ерагъмыгъуейуэщ къазэрыIэщIэкIар. Мэзым щIэлъэдэжри, и гъуэм зридзэжащ бажэм. — КIэ къызат пэтащ жылэм я хьэм! Насып сиIэти, къыслъэщIыхьакъым. КъыслъэщIыхьамэ, сызэпкъраудынут. СакъыIэщIэкIащ хьэм. Хэт зи фIыщIэр, хэт хьэм сакъыIэщIэзыхар? — И лъакъуэ цIыкIухэм еупщIащ. — Си лъакъуэ цIыкIухэ, сыт къысхуэфщIэфар нобэ? — Хьэр къыплъэщIэдгъэхьакъым, уакъыIэщIэтхащ, — жаIащ бажэм и лъакъуэхэм. — Си нэ цIыкIуитI, фэ сыт къысхуэфщIар? — Хьэр япэ къэзылъэгъуар дэракъэ! — жаIащ бажэм и нэхэм. — Фэ-щэ, си тхьэкIумэ цIыкIуитI? — Хьэ банэ макъыр дэракъэ зэхэзыхар! Удгъэбэлэрыгъакъым! — Фысхуэпсэуащэрэт фэ! Си кIэ бацэжь, уэ къысхуэпщIар къызжепIэркъэ. — Нобэ сынокъуэншэкIащ, — жиIащ кIэ бацэжьым. — Дауэ? — Пыжьей гуэрэным укъыщыкIуэцIрыжым, пыжь банэм зыкIэрысщIэурэ хьэр къыпщIэзгъэхьэ пэтащ. — Унапэншэщ! Пхуэфащэр уэсщIэнкъэ сэ! — Гъуащхьэм тет хьэ къарэжьым еджащ бажэр. — Хьэ къарэжь, си кIэ бацэжьым сытекIуэдэж пэтащ нобэ. СыхулIэ апхуэдэ кIэ бацэ! Мэ, уи хьэлэлщ си кIэ бацэр! — жери бажэм и кIэр гъуэм къришиикIащ. Гъуащхьэм тет хьэ къарэжьым кIэ бацэр иубыдри, бажэр гъуэм кърилъэфащ. Кърилъэфри, зэпкъриудащ. Дунейр мэкъутэж Бажэр жыгей щIагъым щIэгъуэлъхьащ: «Сыщхьэукъуэнщ», — жери. Жыгым зы мышхумпIэ къыпыхуащ. МышхумпIэр къыщытехуэм, бажэр къыщылъэтащ. Къыщылъэтри, щIэпхъуащ. И щхьэр ирихьэжьауэ здэжэм, дыгъужьыр къыIущIащ. — Дэнэ ужэрэ, сыт къэхъуар? — къеупщIащ дыгъужьыр. — Къэхъуар пщIэркъэ: дунейр мэкъутэж! — Хэт къыбжезыIар? — Си нэкIэ слъэгъуащ! Сакъ, дыгъужьыжь! — жери щIэпхъуэжащ бажэр. Дыгъужьыр бажэм кIэлъыщIэпхъуащ. Здэжэм, мыщэр къарихьэлIащ бажэмрэ дыгъужьымрэ. — Дэнэ фыздэжэр, къэхъуар сыт? — Дунейр зэрыкъутэжыр пщIэркъэ, мыщэжь? Уи щхьэр зэрыхэпхын! Убэлэрыгъынщи, уунэхъуащ, — жиIащ дыгъужьым. — Дунейр зэрыкъутэжыр хэт къыбжезыIар? — Бажэм къызжиIащ. Бажэр щыгъуазэщ. — Бажэ цIыкIу, уэ хэт къыбжезыIар? — Си нэкIэ слъэгъуащ! — жиIащ бажэм. — Сэри гъусэ зыфхузощI, — жери мыщэр бажэмрэ дыгъужьымрэ ядыщIэпхъуащ. Я щхьэр щIахьауэ здэжэм, бажэм, дыгъужьым, мыщэм ажэ къарихьэлIащ. — Дэнэ фыжэрэ, сыт къэхъуар? — къеупщIащ ажэр. — Дунейр мэкъутэж, ар уфIэмащIэ! — къыжраIащ ажэм. — Гъусэ сыфщI! — жери ажэр бажэм, дыгъужьым, мыщэм ядыщIэпхъуащ. Я щхьэр щIахьауэ здэжэм, зы гъэлъэхъу къаIущIати, ари гъусэ къахуэхъуащ. Адакъэри ядежэжьащ бажэм, дыгъужьым, мыщэм, гъэлъэхъум. Жэм-жэуэрэ жэщ къатехъуащ. Щхьэл ирихьэлIати, жэщыр абы щрахын мурад ящIащ. Бажэр жэщыбгым къызэщыуащ. — СыкъэмэжэлIащ, — жери дыгъужьым едыркъащ бажэр. — Сэри сыкъэмэжэлIащ, — жиIащ дыгъужьым. — Дунейр мыкъутэж щIыкIэ адакъэр дыгъэшх. — АдакъэкIэ зыдгъэнщIын? Зэ дзэкъэгъуэщ зэрытхуэхъунур, — жиIащ бажэм. — Гъэлъэхъури тетшхыхьынщ. Трашхыхьащ гъэлъэхъури. Ажэри IуапIащ. ЗагъэнщIакъыми, бажэмрэ дыгъужьымрэ я нэр къож. — Иджы хэт тшхын? — Мыщэм зыдигъэшхамэ, фIыщIэ хуэтщIынт, — жиIащ бажэм. Мыщэр нэбэнэушэти, бажэмрэ дыгъужьымрэ къыхуамурадыр зэхихащ. — Къутэжакъэ дунейр? — къызэфIэтIысхьащ мыщэр, бажэмрэ дыгъужьымрэ мурад мыгъуэ къызэрыхуащIар щызэхихым. — Къутэжа щIыкIэкъым, — жиIащ бажэм. — ПцIы къысхуэбупсыркъэ? СыщIэкIынщи, дунейр къутэжарэ мыкъутэжарэ зэзгъэщIэнщ, — жери мыщэм зыкъиIэтащ, щхьэлым щIэкIри мэзым щIыхьэжащ. Бажэмрэ дыгъужьымрэ я жьэр ущIауэ щхьэлым къыщIэкIащ. Гъуэгу техьауэ Iуэху къылъыкъуэкIри, зылI гъуэгу техьащ. ЗдэкIуэм, хьэIуцыдзыр къыпэтIысащ. — Дэнэ уздэкIуэр, хэт улъежьа? — къеупщIащ хьэIуцыдзыр. — Уи дей сынакIуэт: пщэдей ди хьэгъуэлIыгъуэти, уезгъэблэгъэнут, — жиIащ лIым. — Си пхъур изогъашэ. — Хъарзынэкъэ-тIэ! IэнэщIу сынэкIуэнкъым: зы адакъэ ныпхуэсхьынщ. Ежьэжауэ, лIым бажэр къыхуэзащ. — Дэнэ укIуэрэ, си нэфI зыщыхуэн? — къеупщIащ бажэр. — Уи дей сынокIуэ. Си пхъур изогъашэ, ди хьэгъуэлIыгъуэщ, — жиIащ лIым. — НасыпыфIэ ухъу уи пхъур. Себгъэблагъэмэ, хьэжыгъэ къэп ныздэсхьынщ, — жиIащ бажэм. И гъуэгу техьэжауэ, зы джэду ирихьэлIащ лIыр. — Дэнэ укIуэрэ? — къеупщIащ джэдур. — Уи дей сынокIуэ, си пхъур изогъашэри, уезгъэблэгъэнущ, — жиIащ лIым. — Тхьэразэ къыпхухъу. Себгъэблагъэмэ, кхъуей кIадэ ныздэсхьынщ. Ежьэжауэ, лIым мыщэр къыхуэзащ. — Дэнэ укIуэрэ? — къеупщIащ мыщэр. — Уи дей сынокIуэ. Си пхъур пщэдей изогъашэ. Унеблагъэмэ, хьэщIэ утщIынщ. — IэнэщIу сынэкIуэнкъым, зы танэ нэсхунщ, — къыжриIащ мыщэм. Мыщэм къыбгъэдэкIыжауэ, лIым дыгъужьыр къыIууащ. — Дэнэ укIуэрэ? — къеупщIащ дыгъужьыр. — Си пхъур пщэдей изогъашэ, ди хьэгъуэлIыгъуэщ, неблагъэ. — Сынеблэгъэнщ, зы щыхьи ныздэсхунщ, — жиIащ дыгъужьым. ЛIыр и унэ ихьэжащ. Нэху щыри пщIантIэм дыхьащ. Зы адакъэ къихьри, къэсащ хьэIуцыдзыр. Адакъэр джэдым яхиутIыпщхьэри, хьэIуцыдзыр гуэщым щIидзащ. Джэдури къэсащ, кхъуей кIадэ къыздишэри. Джэдур щIэупщIащ: — Уи пхъур слъагъуркъыми? Дэнэ щыIэ уи пхъур? — И пэшым щIэсщ, кIуэ, щIыхьэ. ХьэIуцыдзым джэдур илIащ. Хьэжыгъэ къэп къыздишэри, бажэр къэсащ. — Еблагъэ! — жиIащ лIым. — ГуэщымкIэ ныщIыхьэ. Гуэщым щIыхьащ бажэр, хьэIуцыдзым зридзри, гуэщым щIишхыхьащ. Дыгъужьри къэсащ, зы щыхь къыздихури. Гуэщым щыщIиутIыпщхьэм, дыгъужьым бажэр IэщIэкIуэдащ. Мыщэми зигъэгувакъым: зы танэ къыздихури къэсащ. — Ебгъашэр слъагъуркъыми? Дэнэ щыIэ? — Гуэщым щIэсщ, мэгъынанэри: дэкIуэн идэркъым си пхъум. Уэ къытебгъэхьэфынкIэ мэхъу, — жиIащ лIым, мыщэр гуэщым щIиутIыпщхьащ. Мыщэм кIэлъыщIыхьащ лIыр, мыщэр иукIри и фэр трихащ. Мыщафэр лъэпсейуэ ищэри, абы зыбжанэрэ къуэпсэукIащ лIыр. ФIыкIэ ушх Мыщэр, дыгъужьыр, бажэр мэзым щызэрихьэлIащ. Щыри ныбаджэщи, я щхьэр я жагъуэщ. Къаущыхьурэ, зы щыхь щIакъуэ къапэщIэхуащ. Щыхьыр яукIри, зэпагуэшын щIадзащ. — Щыхьылыр къытхуэгуэш, дыгъужьыжь. Щыхьыл уи щыпэшхкъым уэ, — жиIащ мыщэм. — Фхуэзгуэшынщ, — жиIащ дыгъужьым. — Уэ удитхьэмадэщ, удинэхъыжьщи, щхьэр къыплъос. Щыхьыбгъуэр сэ сшхынщ, сымэжэщIалIэщи. Бажэм щыхь лъакъуэр къыддишхынщ. Ар игу ирихьынт мыщэм: щIэкIиери дыгъужьым и джабэр щIиудащ. — Иджы уэ къытхуэгуэш, бажэ цIыкIу, — жиIащ мыщэм. — Фхуэзгуэшмэ, мыращ: удинэхъыжьщ, удитхьэмадэщ, дызыгъэIущри дызыущийри уэращ: щхьэри, лъакъуэри, бгъуэри уэ пшхынщ, мыщэжь, — жиIащ бажэм. Мыщэр и пащIэкIэ щIэгуфIыкIащ: — Хэт къыпхилъхьа апхуэдэ губзыгъагъэ, бажэ цIыкIу? — Уэращ къысхэзылъхьар: дыгъужьым епщIар слъэгъуати, абы Iущ сыщIэхъукIащ, — жиIащ бажэм. — Уи акъылым и хъер улъагъу, сыпхуэарэзыщ, — жери мыщэм щыхьылыр иригъэмэрэкIуэхащ. ХьэIуцыдзымрэ бажэмрэ Джэдыхъуэм зы джэд фIрихьэжьащ хьэIуцыдзым. — ФымыгъакIуэ! И лъэдийр зэрывуд! ХьэIуцыдзым зы джэд сфIрихьэжьащ! — зелIэж джэдыхъуэ фызыжьым, хьэIуцыдзым кIэлъыпхъэрауэ. Iуащхьэм къытеувауэ, фызыжьым къыхуоплъэкI хьэIуцыдзыр. Бажэр кърихьэлIащ. — Сыт узэплъыр, Iуащхьэм утеувауэ? — игъэщIэгъуащ бажэм. — Зы джэд пщэкъуий къыфIесхьэжьати, джэдыхъуэ фызыжьыр къыскIэлъыпхъэращ. КъысщIыхьэн и гугъэмэ, къопцIэ! — дыхьэшхащ хьэIуцыдзыр. — Унабгъэ уэ? — Сыт сыщIэнабгъэр: си нитIыр жан дыдэщ! — жиIащ хьэIуцыдзым. — Уи нитIыр жан дыдэтэмэ, фызыжьым и ужь ит шур плъагъунт, — жиIащ бажэм. — Шу жыпIа? — и нэр къихуащ хьэIуцыдзым. — Шу! Фочыр къыптригъэпсащ, сакъ! Уи джэд къэткъым уэ, пыкI! И псэр и лъэдакъэпэм нэсыжри, хьэIуцыдзым джэд ныкъуэлIэр хыфIихуащ. Бажэр зэщэр арати, джэдыр ипхъуатэри мэзым хэлъэдэжащ. Бажэмрэ мыщэмрэ Зы бажэ мэзым щIэтти, и закъуэ къиущыхьурэ и щхьэр иужэ- гъуащ. — Ар хъункъым, — жиIащ бажэм, — гъусэ къэзгъуэтынщи, ныбжьэгъу къэсщIынщ. Ежьэри, мыщэм ирихьэлIащ бажэр. — Мыщэжь, гъусэ сыщI, ныбжьэгъу къысхуэхъу, — жиIащ бажэм. — Уи гъуэм сыбдисынщ, хьэуэ жыпIэрэ, си гъуэм усшэнщ. — Ныбжьэгъу усщIрэ си гъуэм усшэмэ, сыт къысхуэпщIэфынур, сыткIэ укъысщхьэпэн? Сэ мэлыхъуэм махуэ къэс зы мэл къыфIызохь, — жиIащ мыщэм. — Джэдыхъуэм махуэ къэс зы джэд къыфIэсхьыфынущ, — жиIащ бажэм. — Ар уфIэмащIэ? — Джэдми зытезгъэгусэнкъым. Хъунщ, гъусэ узощI. СыкъыумыгъэщIэхъу закъуэ. СыкъэбгъэщIэхъумэ, уи цыр пхуэсщынщ. Мыщэр ежьэри, мэлыхъуэм зы мэл пшэр къыфIихьащ. Бажэр гъуащхьэм къытенащ. Мэлым и кIапэ пшэрыр кхъуэщын сэкурэм ирилъхьащ бажэм. Кхъуэщыныр пхъэ лъантхъуэм фIидзащ. — Гъуащхьэм дытекIауэ дыгъужь кърихьэлIэмэ, тфIишхынкIэ сошынэ, — жиIащ бажэм. Щхьэ зыфIэт мэзым щIэсащэрэт жыхуаIэр уэ пхуэдэкъэ! — гуфIащ мыщэр. — Мэли джэди къыщытпэщIэмыхуэн къэхъункъэ жызоIэ. Ар къытщыщIмэ, кIапэр ди Iэрылъхьэщ. — Хъунщ, акъылэгъу сыбдохъу, ауэ сыхыумын. Сыхэбнрэ уи закъуэ пшхыжмэ, уэсщIэнум ущыгъуазэщ. — Дауэ ухэзнын! — зигъэгусэ нэпцI зищIащ бажэм. Тхьэмахуэ дэкIащ, мэли джэди къапэщIэмыхуэурэ. Ныбаджэ щыхъум, мыщэм ебзэджэкIын мурад ищIащ бажэм. «Мы зы кIапэм мыщэри сэри дрикъунукъым, си закъуэ сшхымэ, зызгъэнщIынщ», — жери бажэм мэл кIапэр ишхащ, мыщэр игъэбэлэрыгъри. Мыщэри къэмэжэлIащ: — КIапэр дыгъэшх, — жиIащ мыщэм. — СыкъэмэжэлIащ. — КIапэр зышхам и нэфI къыпщыхуэ, — жиIащ бажэм. — Хэт зышхар? — Хьэрэм хухъу: дыгъужьыжьым тIэщIигъэкIащ, — жиIащ бажэм, и вакъэр зылъыпиIуурэ. — Дыгъужьым улъежьэн мурад пщIауэ ара? — Дыгъужьыр хьэрэкъуакIэ дыхьэжащ, дэнэ къипхыжын? — жиIащ бажэм. — ХьэгъуэлIыгъуэм срагъэблэгъащи, сыкIуэнущ. Ежьэри, жэщ-махуэкIэ къигъэзэжакъым бажэм. Нэхъри къыщымэжалIэм, мыщэри ежьащ: «Зыгуэр къыспэщIэхуэнкIэ мэхъу», — жери. Мэлыхъуэ пщыIэм техьащ мыщэр. — Сызэдзэкъэн гуэр къызэфт, сыгунэщIщ, тхьэмахуэ мэхъу си джийм дзэкъэгъуэ зэремыхрэ, — елъэIуащ мыщэр мэлыхъуэхэм. — Удын уэттынщ! — къыщIэгубжьащ мэлыхъуэхэр, къаубэрэжьри кърахужьэжащ. — Щынэ мащIэ тфIэпхьакъым уэ! «Мыщэм къытригъэзэнкIэ мэхъу», — жари къапхъэн ягъэуващ мэлыхъуэхэм. Мыщэм тригъэзакъым, кIуэцIакъухьащи, и щхьэр и жагъуэщ, гъуэм къикIыркъым, ныбаджэщ. — Бажэжь цIыкIу, зы джэд нэхъ мыхъуми къэгъэхьэрычэт, шхын щхьэкIэ солIэ, — жиIащ мыщэм. — Джэдкъым, щынэ къыпхуэсхьынщ, — жери бажэр мэлыхъуэхэм я деж кIуащ. КIуэри, къапхъэным иубыдащ. Бажэр къапхъэным къыдахащ мэлыхъуэхэм. — Мыщэм гущIэгъу хуэтщIами, уэ дыпщысхьынкъым, — жари бажэр яукIын мурад ящIащ мэлыхъуэхэм. — Ямыгъэпсалъэ яукIыркъым, сывмыукI, — къэгъынэнащ бажэр. — ХеящIэр къысхуевджэ япэ щIыкIэ. — СыткIэ ущыгугърэ хеящIэм? — Абы къысхуищI си унафэщ, — жиIащ бажэм. ХеящIэр къраджащ. — Сыт си лажьэ? Мыщэр шхын щхьэкIэ малIэри гъуэм исщ. Сэ мэлыл си мыхьэмышхщ, джэдылым пэсщI щыIэкъым, — жиIащ бажэм. — Фи фIэщ мыхъумэ, джэдыхъуэм феупщI — пцIы къыфхуиупсынукъым. Мыщэ тхьэмыщкIэр шхын щхьэкIэ вгъалIэмэ, жылэм сыт къыфхужаIэн? ХеящIэр и щхьэм щIэтIэхъуащ. — Бажэр захуэщ, лажьэ иIэкъым, — жиIащ хеящIэм. ХеящIэм ар щыжиIэм, мэлыхъуэхэр икIуэтыжащ. Бдзэжьеящэ Зы мэкъумэшыщIэ бдзэжьеящэ кIуащ. Выгум матэ иригъэуващ. Матэм из бдзэжьей къиубыдащ мэкъумэшыщIэм. КъыщыкIуэжым бажэр пабжьэм къыхэжащ. «Мы делэм и бдзэжьейр фIэсшхынщ», — жиIащ бажэм, гупкIэм дэлъейри, зырыз-тIурытIурэ бдзэжьейр матэм къридзащ. Модрейр щхьэукъуэрти, гу къылъитэххакъым. Бдзэжьейр зэхуихьэсыжри, и гъуэм ихьащ бажэм. Блэжрэ пэт, дыгъужьыр кърихьэлIащ. — Къеблагъэ, дыгъужьыжь, бдзэжьейкIэ узгъэтхъэнщ. Дыгъужьыр ныбаджэти, гуфIащ. — Мыпхуэдиз бдзэжьей дэнэ къипха, бажэ цIыкIу? Хэт къыпхуэупсар? — еупщIащ дыгъужьыр бажэм. — Хэт къысхуэупсэн? — жиIащ бажэм. — Си щхьэм сыхуэупсэжащ. — Дауэ? — Бдзэжьей зэрещэр сощIэ сэ — сыхурагъэджащ. — Сэри сыхуегъаджэ бдзэжьей зэрещэм, — жиIащ дыгъужьым. — Ухуезгъэджэнщ. Сыт хэлъ абы! Гъусэ укъысхуэхъурэ укъызэдаIуэмэ, бдзэжьейм лъакъуащхьэкIэ уахэзгъэтыфынущ сэ. — Сыпхуэхъунщ гъусэ, — гуфIащ дыгъужьыр, — бдзэжьей ещэкIэ сыгъащIэ закъуэ. — НакIуэ, псы Iуфэм дыкIуэнщ, бдзэжьейм уи нэ къыщыхуикIкIэ. Дыгъужьыр псы Iуфэм ишащ бажэм. — Псы Iуфэм IутIысхьи, уи кIэр псым хэщIэ. УмыпIащIэ: бдзэжьейр къыщыдэкIуеинур нэхущым дежщ. Уи кIэр псым хэщIи, нэху щыху щыс мыбдей. Цыуэ птетым хуэдиз бдзэжьей къэбубыдыфынущ. — Сыбгъэунащ, бажэ цIыкIу. ИгъащIэкIэ сщыгъупщэнкъым! — гуфIащ дыгъужьыр, псы Iуфэм IутIысхьэри, и кIэр псым хищIащ. — Сэ хьэщIапIэ сыкIуэн хуейщи, сопIащIэ. Уэ нэху къыптещхьэху щыс мыбдей, зумыгъэхъей. Алабгъуи, пащIэкIапси, бдзэжьей къуэлэни — Iэджэм зыкъыпкIэращIэнущи, нэхъ пфIэIэфIыр къыхэх, — жери бажэм IуигъэзыкIыжащ. — Пщэдджыжь сыкъыплъыгъуэзэнщ. И кIэр псым хищIэри, нэху щыху зигъэхъеякъым дыгъужьым. ЩIымахуэ жэщт, уаети, дыгъужьым и кIэр псым хэщтыхьащи, къеIэ щхьэкIэ, къыхухэчыжыркъым. Нэху игъэщри, дыгъужьым деж тригъэзащ бажэм. — Си нэфI ныпщыхуи, бажэ цIыкIу! Бдзэжьей куэдыIуэ къызэжэри, сызэпаубыдащи, си кIэр псым къысхухэчыжыркъым, — жиIащ дыгъу-жьым. — Си закъуэ сапэлъэщынукъым, бдзэжьейр си гъуэм нэс ныздэзыхьын гуэр къысхуэгъуэт. — Къыпхуэзгъуэтынщ. Ар Iуэху сытми! Къыспэплъэ закъуэ. Сыкъэсыжыху зумыгъэхъей. Зыбгъэхъеймэ, бдзэжьейм уи кIэр пачынщи, макIуэ-мэлъей! — жери бажэр къуажэм дэлъэдащ. Жылэр зэщIигъэстащ бажэм. Бжэгъу цIынэ къащтэри, бажэм и ужь иуващ жылэр, хьэхэри зэрехьэжьащи, зэщIобанэ. Псы Iуфэм щынэблагъэм, бажэм кIэбгъу зищIыжащ, пабжьэм хэлъадэри. Жылэми хьэми яхуэмыгъуэтыр къаIэрыхьащ — дыгъужьыжьыр. ЗэзыдзэкIар КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмидщ. Куржым щыIэ Метехи къулшырыфыр. 1972 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25059.txt" }
УнафэщI гумызагъэ Лъэпкъыр зэрыгушхуэ и цIыхухэм ящыщщ «УхуакIуэ» колледжым и унафэщI Сунш Заудин Шэмсэдин и къуэр. Абы и дуней тетыкIэм щыгъуазэ, и Iуэху бгъэдыхьэкIэр зыщIэ дэтхэнэми къыздиIыгъынущ ар жэуаплыныгъэ пылъу сыт хуэдэ къалэнри зыгъэзащIэ цIыху емызэшу зэрыщытыр. Сунш Заудин Заудин Лэскэн районым хыхьэ Аргудан къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, 1970 гъэм ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие къудамэм. 1975 гъэм Суншым егъэджэныгъэ IэнатIэм лэжьэн щыщIидзащ икIи нобэр къыздэсым а унэтIыныгъэм хэтщ зэфIэкI лъагэхэр къигъэлъагъуэу, ехъулIэныгъэхэр иIэу. Ар философие щIэныгъэхэм я кандидатщ, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и отличникщ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, къищынэмыщIауэ, зыпэрыт IэнатIэр зэрыригъэфIакIуэм къыпэкIуэу УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я щIыхь тхылъхэр мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ. ЦIыху хьэлэлу, гуапэу дунейм тет Заудин зыхэт гупми, къызыхэкIа лъэпкъми, и благъэ-Iыхьлыхэм я дежи и пщIэр щылъагэщ, абы и псалъэр ялъытэу апхуэдэщ. Гъуазджэм, щэнхабзэм, тхыдэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми куууэ зэрыхищIыкIым, и IэщIагъэм сыт щыгъуи зэрыхигъахъуэм, и къэухьым зэрызригъэужьым и фIыгъэкIэ ар нобэрей зэманым декIуу мэбакъуэ, аращ абы и лэжьыгъэкIэ ехъулIэныгъэхэр щIызыIэригъэхьэфри. ГушыIэ дахи хэлъщ Суншым, уеблэмэ ар егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ яхуиIэ зэхущытыкIэфIым и лъабжьэ нэхъыщхьэщ. И дэтхэнэ псалъэри, щIагъыбзэ зиIэ и гушыIэри зыхуигъэлажьэр студентхэм гъэсэныгъэ тэмэм егъэгъуэтынырщ. Мыдрейхэми ар къагуроIуэри, зыщIогупсысыж, языныкъуэхэми, гу зэрылъыттащи, нэхъыжьыфIым щапхъэ трах. Сунш Заудин нобэрей зэманым декIу унафэщIщ, «псалъэр мащIэрэ, Iуэхур нэхъыбэу» къыхуеджэныгъэм щIэту и гъащIэр ирехьэкI абы. Сыт хуэдэ щытыкIэ гугъу къимыхутами, къыпэщыт къалэныр зэрызэфIихын хэкIыпIэхэр къегъуэтыф, дэтхэнэ Iуэхуми езым и еплъыкIэ хуиIэжу щытщ. Апхуэдэ хьэлыфIымрэ зыпэрыт IэнатIэр фIыуэ зэрилъагъурщ ар лъагапIэщIэм хуэзышэр. Абы и щыхьэтщ 2007 гъэм Суншым «Егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщI нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэ къызэрыщихьар. «КъызэрыгуэкI цIыху лэжьакIуэм иIэ пщIэм нэхъ лъагэ щыIэкъым. Жылагъуэм и ефIэкIуэныгъэр зэлъытыжари, абы щызекIуэ адрей лъапIэныгъэхэр къызыдэкIуэри цIыху лэжьакIуэм бгъэдэлъ Iэзагъэмрэ зэфIэкIымрэщ. Абы и лэжьыгъэм, и щIэныгъэм, и Iэзагъэм, къапщтэмэ, куэдкIэ елъытащ экономикэр. ЩIэныгъэлIым и гупсысэ нэхъ хьэлэмэт дыдэми инженер цIэрыIуэм и проектми зыри я мыхьэнэкъым, ахэр гъащIэм хэзыпщэн къызэрыгуэкI лэжьакIуэхэр щымыIэмэ», — а псалъэхэмкIэ илъэс къэс захуегъазэ Суншым колледжым къыщIэтIысхьэ ныбжьыщIэхэм икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ япэ махуэхэм щыщIэдзауэ абыхэм захрегъащIэ къыхаха IэщIагъэм я гъащIэм щиубыдынкIэ хъуну увыпIэм и мыхьэнэр зыхуэдэр. ПсынщIэу зызыхъуэж дунейм хэзэгъэн папщIэ абы егъэджакIуэхэри куэдрэ къыхуреджэ, ныбжьыщIэхэри хуеущий я IэщIагъэм, зэфIэкIым кIуэ пэтми хагъахъуэу зэрыщытын хуейм. Колледжым и гъэсэнхэм я нэхъыбэм я щIэныгъэм еджапIэ нэхъыщхьэхэм щыпащащ икIи гъащIэм езыхэм я лъагъуэ щыпхашыжауэ апхуэдэхэщ. И нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэм я Iуэху зыIутым щыгъуазэщ Заудин, дэтхэнэми игу илъыр, и псэм щыщIэр къищIэн папщIэ щIэх-щIэхыурэ абыхэм йопсэлъылIэ. Нобэ «УхуакIуэ» колледжым студент 1779-рэ щIэсщ. НыбжьыщIэхэм я еджэныгъэр тэмэму къызэгъэпэща хъунымкIэ зыхуэныкъуэ псори яIэщ. Колледжым хэтщ лабораторэ, спорт пэшхэр, компьютер классхэр, студентхэр пщIэншэу здэкIуэ шхапIэ. Сытми, ныбжьыщIэр еджэнумэ, Iэмал псори къыхузэгъэпэщащ. ЕгъэджакIуэхэм ныбжьыщIэхэм ират щIэныгъэм нэмыщI, къыхаха IэщIагъэм пэжу, жэуаплыныгъэ яхэлъу зэрыбгъэдэтыным хуагъасэ. КъищынэмыщIауэ, еджапIэм щрагъэкIуэкI ныбжьыщIэхэм я къэухьым зезыгъэужь, я зэфIэкIыр здынэсыр къызэрапщытэ зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэр. «ЕхъулIэныгъэр занщIэу къакIуэркъым, — жеIэ Суншым. — Ар уи IэнатIэм уегугъуу упэрыткIэрэ, уи Iэзагъэр ебгъэфIакIуэкIэрэ къыпхуэлэжьыну аращ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ студентхэм я зэфIэкIыр утыку къыщрахьэ зэпеуэхэм. Абдежым наIуэ къыщохъу щхьэж хузэфIэкIынур здынэсыр, адэкIэ зэрызиужьыну Iэмалхэри къещIэ. Зыхуигъэувыжа мурадым ерыщу хуэкIуэрщ гъащIэм и лъагапIэхэр къэзыгъэIурыщIэфынур». ЦIыхум и хъуэпсапIэхэр къехъулIэнымкIэ, зыхуигъэувыжа мурадхэм теIэбэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуохъу и Iыхьлыхэм къыхуаIэ лъагъуныгъэмрэ абыхэм Iуэхур къызэрыдаIыгъымрэ. — ГъащIэм зыгуэр къыщызэхъулIамэ, ар зи фIыщIэр си адэ-анэрщ, абыхэм я лъагъуныгъэрщ, Iуэхум сызэрытрагъэгушхуарщ, — жеIэ Заудин. — Мы дунеишхуэм зы фIыгъуи теткъым абы сэ къысхуащIам, ядэслъэгъуа гуапагъэм пэзгъэувыфыну. ЕхъулIэныгъэ гуэр зыIэригъэхьамэ, абы занщIэу и нэгу къыщIоувэ гушхуэныгъэ хэлъу адэр Iуэхум щыгуфIыкIыну зэрыщытар. Сунш Шэмсэдин дунейм темытыжми, абы и щапхъэрщ къуэм нобэми гъуазэ хуэхъур. ПщIэшхуэ зиIэ цIыхуу дэсащ ар Аргудан къуажэм. ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу Хэку зауэшхуэм и пэм щыщIэдзауэ и кIэм нэс хэтащ икIи къэмылэнджэжу и щIыналъэр зэрихъумэжам папщIэ дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. ИужькIэ къулыкъу зэхуэмыдэхэр ирихьэкIащ: ар лэжьащ учетчикыу, бригадиру, къуажэ советым и тхьэмадэу, парторгыу, колхоз унафэщIу. Сыт хуэдэ Iуэхуми жэуаплыныгъэ пылъу пэрыхьэрт, апхуэдэу щытыну адрейхэми япиубыдырт. УнафэщI ткIийт, ауэ псом япэу и щхьэм и дежт къыщищIидзэр, лэжьыгъэм зыпыIуидзыртэкъым, Iуэху кърахьэжьэм пашэ хуэхъур арат. Дауи, апхуэдэ нэхъыжьыфIым щIэблэ мыхъумыщIи иIэнукъым. И адэм хуэфэщэнщ Заудини. Езэш имыщIэу зи зэфIэкIым зезыгъэужь, ищIэмкIэ сыт щыгъуи къыбдэгуэшэну, дэIэпыкъуэгъу нэс къыпхуэхъуфыну унафэщIыр и лэжьэгъухэм я дежкIэ щапхъэщ. И акъылкIэ, и IэщIагъэм хуэIэижьу зэрыщытымкIэ абы къилэжьыжащ жылагъуэм щиIэ пщIэ лъагэр. Зи илъэс 60-р зыгъэлъапIэ Заудин дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу, и гуащIэр мыкIуэщIу адэкIи гъащIэ купщIафIэ, насыпыфIэ ирихьэкIыну. Шорэ Раисэ, «УхуакIуэ» колледжым и къудамэм и унафэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25064.txt" }
Ди шууейхэр ящыгъупщэркъым Налшык дэт Лъэпкъ музейм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ Сталинград зауэр зэриухрэ илъэс 70 зэрырикъуар. Абы къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм ирагъэблэгъат Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Куэтэншы ТIалэ, Жуков Василий, Налшык и курыт школ №7-м и еджакIуэхэр. Апхуэдэуи зэхыхьэм хэтащ Лъэпкъ музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ Емельяненкэ Надеждэ, лъахэхутэ, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр советым хэт Зведре Владимир, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ, Гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ ехьэлIа фэеплъхэр зыхъумэ Урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Созаев Ахъмэт, нэгъуэщIхэри. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэм нэхъыбэу гулъытэ зыхуащIар хахуэу зэуа 115-нэ шууей дивизэрщ. ЦIыху мини 5-рэ 550-рэ хъу дивизэр зауэ IэнатIэ щыIухьа япэ тхьэмахуитIым бийм и лъэсыдзэ полкищ зэтрикъутауэ щытащ, ар икъукIэ бжыгъэшхуэт. Къыхэгъэщыпхъэщ: 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м къыщыщIэдзауэ шыщхьэIум и 1 пщIондэ 51-нэ армэм хыхьэ 115-нэ шууей дивизэр псэемыблэжу щызэуащ Мартыновкэ Иным, Несмеяновкэ, Денисовскэ, Батлаевскэ, Пробуждение, Новониколаевскэ жылагъуэхэм. Мартыновкэ Иным деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм ди дзэм бийм и танкыу 38-рэ, автомашинэу 7 щызэтрикъутат, лъэсыдзэу батальоным нэблагъэ хигъэщIат. 115-нэ шууей дивизэм и командиру, зауэлIу цIыху 50-м КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъ хуагъэфэщауэ щытащ. Хэкупсэу, лIыгъэ яхэлъу дивизэр зэзыгъэуIуахэм, зауэлI хахуэхэм лъахэмрэ лъэпкъымрэ хуащIар уасэ зимы- Iэщ. Лъэпкъ музейм къекIуэлIа школакIуэхэм Iэмал яIащ зауэм и ветеранхэм я сурэт гъэтIылъыгъэхэм хэплъэну, «Отчизны верные сыны», «Книга памяти», «Сталинградская битва» тхылъхэм зыщагъэгъуэзэну. ЩIэблэм ирагъэлъэгъуащ зауэм лIыгъэ зэрахьэу хэта сэлэтхэм я щыгъынхэм щыщ, нэрыплъэ, адыгэ уанэ, бгырыпххэр, пыIэ, шыуан, нэгъуэщI хьэпшыпхэри. Мыхьэнэ иIэщ 115-нэ дивизэм къикIуа зауэ гъуэгуанэм и схемэр сабийхэм нэрылъагъу зэрыщащIами. «Сталинград щекIуэкIа зауэр гуащIэт. Куэдым я щхьэ абы халъхьащ я Хэкум папщIэ. Ди зауэлI хахуэхэм я гъуэгуанэр, я лъэужьыр дэ хэдгъэгъуэщэж хъунукъым», — жиIащ Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс. — Ди музейм гъэлъэгъуэныгъэ куэд къыщызыдогъэпэщ, ауэ Хэку зауэшхуэм теухуахэм гулъытэ нэхъ хуэтщIу къыщIэкIынущ. Абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ. Зауэм текIуэныгъэр къыщытхьыным ди цIыхухэм я гуащIэшхуэ ирахьэлIащ, псом хуэмыдэу Сталинград деж щекIуэкIам. ЖыпIэ хъунущ ТекIуэныгъэр дыдей хъуным а зауэр лъабжьэ хуэхъуауэ. Пэжщ, абы къыкIэлъыкIуащ Москва деж щызэхаубла зэпэщIэувэныгъэри, ауэ, дауэ мыхъуми, Сталинград зауэм мыхьэнэ ин дыдэ иIащ. А Iуэхугъуэхэр IупщIу къэзыгъэлъэгъуэж дэфтэрхэр, сурэтхэр музейм и гъунэжщ, апхуэдэуи мыбы щызэхуэхьэсащ зи гугъу тщIы зауэм хэтахэм я щыгъын, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр. Ахэр зэгъэуIуным зи къару езыхьэлIар музейм и лэжьакIуэ зырызкъым, атIэ зым ищIам адрейм пищэу илъэс куэдкIэ зэфIэува Iуэхущ. Ди гуапэщ ди щIэблэр нэхъыбэу къытхуеблагъэмэ. Лъэпкъым и блэкIар, абы къикIуар нэрылъагъу ящыхъунщ, — жиIащ Емельяненкэ Надеждэ. АдэкIэ утыкур хуит хуащIащ Куэтэншы ТIалэ. Сабийхэм я лъэIукIэ ТIалэ ахэр щыгъуазэ ищIащ езымрэ зауэм къыдыхэта и лъэпкъэгъухэмрэ я гъащIэ гъуэгуанэм. «Правда о 115-ой Кабардино-Балкарской дивизии» тхылъыр зытха ТIалэ мы Iуэхум химыщIыкI хэлъкъым. — Си гуапэщ мы зэIущIэм сыкъызэревгъэблэгъари тхыдэр къызыфIэIуэху мы цIыкIухэр къызэрыкIуари. Сэ сыхэтащ 115-нэ шууей дивизэм. Абы къыхэкIыуи си нэгу щIэкIар къыщызгъэлъэгъуэжащ «Правда о 115-ой Кабардино-Балкарской дивизии» зыфIэсща тхылъым. Абы и бжыгъэр 2000 хъууэ къыдэкIащ. ФIыщIэ яхузощI тхылъыр къыдэгъэкIынымкIэ сэбэп къысхуэхъуа псоми. Дивизэм теухуауэ жысIэнур зыщ: ди зауэлIхэр хахуэт, псэемыблэжт, псом я нэхъыщхьэжрати, хэкупсэт. 115-нэ шууей дивизэр зыпэщIэува къарумрэ, танкхэмрэ, кхъухьлъатэхэмрэ езым бгъэдэлъ лъэкIыныгъэмрэ, дауи, зэхуэдэтэкъым. ИтIани, абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ нэмыцэхэм Сталинград ямыубыдыным, зэхамыфыщIэным… ЦIыхухэм я закъуэтэкъым зауэм хэкIуадэр, шы куэд дыдэ тфIэкIуэдащ абы щыгъуэм, — къыхигъэщащ ТIалэ. Зведре Владимир жиIащ иджырей щIэблэр 115-нэ шууей дивизэм и лIыгъэм зэрырипагэр, абыхэм зауэлIхэм фIыщIэ зэрыхуащIыр, зэращымыгъупщэр. Ар тепсэлъыхьащ Сталинград деж щекIуэкIа зауэм. «Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къыщыттеуам я гугъат мазэм щIигъум зэрыкъэралу яубыдыну, арщхьэкIэ ар къайхъулIакъым. Зыпэува къэралыр лъэщу къыщIэкIащ. 1941 гъэм и жэщ нэхъ кIэщI дыдэрт, мэкъуауэгъуэм и 22-рт, зэгурыIуэныгъэми ебакъуэу бийр ди лъахэм къыщизэрыгуар. МелуанитIым нэблагъэ армэр къаруушхуэт. Арами, текIуэныгъэр къэтхьащ, ди цIыхухэр зэкъуэувэри. Зауэм и япэ махуэхэм щыщIэдзауэ усэхэр зэхалъхьэрт, иужькIэ «Священная война» уэрэдри дунейм къытехьащ. Ахэр цIыхухэр къызэщIэзыIэтэт. Дэ тхъумэн хуейщ ди адэжьхэм я фэеплъыр», — жиIащ Владимир. «Дэ дыщIэзэуар щIэблэр мамыру псэун, къэралыр щхьэхуиту щытын папщIэщ», — жиIащ Жуков Василий. Абы игъэзэщIащ композитор Пахмутовэ Александрэ итха «Поклонимся великим тем годам» уэрэдыр. 115-нэ шууей дивизэм и музейм, Налшык дэт курыт еджапIэ №7-м щылажьэм, и советым хэт Горуля Ксение тепсэлъыхьащ ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм. Абы къыхигъэщащ цIыху 5550-рэ хъууэ щыта дивизэм и нэхъыбэр (4000-р) Сал псым деж зэрыщыхэкIуэдар, Мартыновкэ Иным ноби ди зауэлIхэм я фэеплъыр зэрыщахъумэр. «2009 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм дэ Мартыновскэ районым и администрацэм зыпытщIэри, абы я лIыкIуэхэр къытхуеблэгъауэ щытащ. Щыгъуазэ дызэращIамкIэ, Мартыновкэ Иным и уэрам нэхъыщхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэр зэрехьэ, апхуэдэуи зауэлIхэм я кхъащхьэу пщIы щыIэщи, жылэм ахэр гулъытэншэ ящIыркъым, зэрахьэ. Къалэм дэтщ 115-нэ дивизэм и мывэ фэеплъ. Мыхьэнэ зиIэ защIэщ мы Iуэхугъуэхэр. Къыхэзгъэщынут, илъэс къэс щэкIуэгъуэм и пэщIэдзэхэм фэеплъ пшыхьхэр, дерс зэIухахэр ди музейм зэрыщедгъэкIуэкIри», — жиIащ Ксение. Накуэ Феликс Лъэпкъ музейм къыбгъэдэкIыу ветеранхэм фIыщIэ яхуищIащ къазэрыхуеблэгъамкIэ, саугъэтхэмкIи яхуэупсащ. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25071.txt" }
Профессор цIэрыIуэм и щапхъэ Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм ящыщщ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м щIэныгъэмрэ техникэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБКъУ-м и профессор Къулътырбей Хъусен Пщымырзэ и къуэр. ЦIыху зэпIэзэрытыр, зи Iуэху зехьэкIэкIи дуней тетыкIэкIи пашэр инженер нэсымрэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэмрэ я щапхъэщ. Абы иригъаджэ студентхэм зэрыжаIэмкIэ, Къулътырбейр пщIэшхуэ зыхуащI нэхъыжьыфIщ, чэнджэщэгъуфIщ, унэтIакIуэ щыпкъэщ. Къулътырбей Хъусен Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Шордакъ къуажэм 1942 гъэм и гъатхэпэм къыщалъхуащ Къулътырбейр. Курыт школыр къиуха нэужь, еджэным хуэнэхъуеиншэ щIалэр щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и инженер-техникэ факультетым икIи ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. IэщIагъэлI ныбжьыщIэм щалъхуа щIыпIэм къигъэзэжащ икIи ухуакIуэ, мэкъумэш IэнатIэхэм мастеру, инженер нэхъыщхьэу илъэс зытIущкIэ щылэжьауэ, университетым игъэзэжащ, бгъэдэлъ щIэныгъэм адэкIэ хигъэхъуэну, и IэщIагъэм нэхъ куууэ хуеджэну. Ар щIэтIысхьащ Москва къэрал ухуакIуэ университетым и аспирантурэм. 1973 гъэм еджэныр къиухащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ и кандидат диссертацэр. ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъу къалъыта щIэныгъэлIыр 1979 гъэм ягъэуващ КъБКъУ-м и инженер-техникэ факультетым и декану. А IэнатIэм ар пэрытащ илъэси 10-м щIигъукIэ, иригъэфIакIуэу, лэжьэкIэщIэм и мардэхэр егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхум хилъхьэу. Апхуэдэ дыдэу унафэщI IэкIуэлъакIуэу абы зыкъигъэлъэгъуащ 1995 — 1999 гъэхэм университетым и юридическэ факультетым и декану щыщытами. ЖыпIэнурамэ, республикэр зэрыгушхуэ еджапIэ нэхъыщхьэр ефIэкIуэным Къулътырбейм лэжьыгъэшхуэ ирихьэлIащ. Абы и жэрдэмкIэ университетым къыщызэIуахащ кафедрэщIэ зыбжанэ, абы и аспирантурэм иIэ унэтIыныгъэхэми заужьащ. Ар илъэс зыбжанэкIэ хэтащ КъБКъУ-м диссертацэхэр щыпхагъэкI и советым, абы и IэнатIэхэм ящыщ зым и унафэр щыIэщIэлъаи щыIэу. 2008 гъэ лъандэрэ Къулътырбейр хэтщ Ростов къэрал ухуакIуэ университетым кандидат, доктор диссертацэхэр щыпхагъэкI советым. Апхуэдэу Къулътырбейм и фIыгъэкIэ университетым мызэ-мытIэу къыщызэрагъэпэщащ икIи щрагъэкIуэкIащ къэралпсо щIэныгъэ конференцэхэр. Абыхэм кърагъэблагъэрт щIэныгъэлI цIэрыIуэхэри а гъуэгум теувагъащIэ къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэри. УнэтIакIуэ щыпкъэр езыри жыджэру ядолажьэ щIэныгъэм хыхьа къудей щIалэгъуалэм, ахэр къэхутэныгъэщIэхэм тригъэгушхуэу. Абы и унафэм щIэту ягъэхьэзыращ икIи пхагъэкIащ кандидат диссертацэ зыбжанэ. Къулътырбейм къызэрилъытэмкIэ, иджырей инженерым щIэныгъэ куу бгъэдэлъын хуейщ, итIанэщ ущылъэщIыхьэфынур махуэ къэс щIэ гуэр къызыхыхьэ щIэныгъэмрэ техникэмрэ. Апхуэдэ зэфIэкIхэр зиIэ щIэблэ егъэджэнымкIи щIэныгъэлIым лъэкI къигъанэркъым. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхум къыдэкIуэу, Къулътырбейм а илъэсхэм зэфIихащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ инхэри. Ахэр и лъабжьэу абы игъэхьэзыращ и доктор диссертацэр икIи ар утыку кърихьащ 1995 гъэм. Лэжьыгъэр щIэныгъэлIхэм гунэс ящыхъуащ икIи пщIэшхуэ иIэу ноби къагъэсэбэп инженерхэм, техникхэм. Абы и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ тхылъу, методикэ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэу 150-м щIигъу. Хъусен и лэ-жьыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытохуэ РАН-м, Украинэм Лъэпкъ щIэныгъэхэмкIэ и академием къыдагъэкI журналхэм. Къыдэлажьэхэми иригъаджэ студентхэми пщIэшхуэ хуащI Къулътырбей Хъусен. Апхуэдэ гулъытэр абы къихьащ и псэ хьэлэл лэжьыгъэмкIэ, хьэл-щэн екIумкIэ. Урысей щIэныгъэм и махуэшхуэмкIэ гуапэу дохъуэхъу IэщIагъэлI цIэрыIуэм икIи ди гуапэщ узыншагъэ иIэу ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэну. ТАМБИЙ Линэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25073.txt" }
Зыужьыныгъэм и хэкIыпIэ Илъэс 15-м нэсауэ ди къэралым щагъэлъапIэ ЩIэныгъэм и махуэр. УФ-м и Президентым 1999 гъэм къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, ягъэувауэ щытащ ар. Абы къежьапIэ хуэхъуащ Пётр Езанэм 1724 гъэм къызэригъэпэща ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академиер. Урысей щIэныгъэр дунейм хуэупсащ цIыху цIэрыIуэ куэдхэмкIэ, къэхутэныгъэ инхэмкIэ. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, Ломоносов Михаил, Павлов Иван, Менделеев Дмитрий, Циолковский Эдуард, Капицэ Пётр, Курчатов Игорь, Королев Сергей, нэгъуэщIхэри. Ди къэралым и щIэныгъэлIхэм яхэтщ Нобель и цIэр зезыхьэ дунейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэща куэди. Ди хэкуэгъухэм ящыщу 1904 гъэм псом япэ ар иратащ академик Павлов Иван. ИужькIэ апхуэдэ ехъулIэныгъэкIэ я цIэр Iуащ нэгъуэщIхэми. 2010 гъэм ди хэкуэгъу щIалитI — Гейм Андрейрэ Новоселов Константинрэ — физикэмкIэ Нобель саугъэтым и лауреат хъуащ. Иджыпсту Инджылызым щыпсэуми, а щIалитIри урысейщылъхущ. Гуапэ тщохъу Гейм Андрей ди лъахэгъуу зэрыщытыр. Ар къыщыхъуар Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшыкщ. Абы къегъэлъагъуэ апхуэдэ саугъэт лъапIэр Москва, Санкт-Петербург щыпсэухэм я мызакъуэу, ди къэралым и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм къыщыхъуахэми къызэралэжьыфынур. Иужьрей илъэс зыбжанэм РАН-м и лэжьыгъэм хуабжьу зиужьащ. Абы и Президиумым епхауэ мэлажьэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэм хэлъ Iуэху къиинхэмкIэ щIэныгъэ совет зыбжанэ. Апхуэдэхэщ гидрофизикэм, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным, хьэршым епха советхэр, дунейпсо щэнхабзэ щIэиныр, тенджызхэмрэ хыхэмрэ, Арктикэмрэ Антарктикэмрэ джыным хуэунэтIа къэхутэныгъэхэмкIэ советхэр, нэгъуэщIхэри. ИригъэкIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэмкIэ РАН-р япыщIащ УФ-м, хамэ къэралхэм щыIэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэ куэдым. Къыпэщылъ къалэнхэм елъытауэ къэхутэныгъэхэр щокIуэкI Академием и щIэныгъэ къудамэ зэхуэмыдэхэм. Къэралым и щIыпIэ куэдым зыщаужьащ РАН-м и щIыналъэ къудамэхэми. Абыхэм ящыщу нэхъ ин дыдэу къалъытэ Санкт-Петербург щIэныгъэ центрыр. 1993 гъэм Налшык къыщызэIуахауэ щытащ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр. Ар къызэгъэпэщыным и гуащIэшхуэ ирихьэлIащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Иуан Пётр. Аращ зи гугъу тщIы щIыналъэ къудамэм иджыпсту и унафэщIыр. Иуаныр зи пашэ лъэпкъ щIэныгъэлIхэм центрым унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI. Ар япыщIащ ди щIыпIэм щыIэ институт зыбжанэм. Апхуэдэхэщ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр (унафэщIыр Бгъэжьнокъуэ Барэсбийщ), Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр (унафэщIыр Иуан Пётрщ), Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр (унафэщIыр Нэхущ Iэдэмщ), Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институт (унафэщIыр Тембот ФатIимэщ), нэгъуэщIхэри. Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и къудамэ щхьэхуэхэщ Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ Урысей Академием ди щIыпIэм щиIэ Бахъсэн нейтриннэ обсерваторэр, абы и Президиумым егъэщIылIащ ГеографиемкIэ къудамэмрэ редакцэ-тхылъ тедзапIэмрэ. Апхуэдэу ди республикэм щылажьэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм ящыщщ РАН-м и Медико-биологие институтым медицинэ-экологие къэхутэныгъэхэмкIэ и щIыналъэ институтыр, Астрономие обсерваторэр, нэгъуэщIхэри. Зи къэхутэныгъэхэмкIэ къэралым, хамэ щIыпIэхэм цIэрыIуэ щыхъуа ди щIэныгъэ IэнатIэхэм щолажьэ лъэпкъ щIэныгъэлI пажэхэр. Абыхэм я нэхъыбэр щагъэхьэзыр ди республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм. ЦIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ етыным я къару емыблэжу хуолажьэ еджапIэ пашэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтыр, нэгъуэщIхэри. КъэхутэныгъэщIэхэр зи плъапIэ ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм республикэр, Хэку псор ипэкIэ зыгъэкIуэтэн лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ нэхъ къулеиж хъуну, яхуэфэщэн къэрал гулъытэ ягъуэтыну, гъунэ зимыIэ щIэныгъэм и щыгу дэкIуеифын куэд къахэкIыну ди гуапэщ. КЪАРДЭН Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25076.txt" }
«Нэхумрэ ныбжьымрэ» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэр Налшык ЩэнхабзэмкIэ и фондым къыщызэIуахащ. Ар къызэригъэпэщащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и правленэм, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ республикэм щэнхабзэмкIэ и фондымрэ и дэIэпыкъуэгъуу. Скульптор, сурэтыщI Iэзэ Мамоновэ Светланэ гъуазджэм зэрыхуэлажьэрэ илъэс 30 зэрырикъум теухуауэ щытащ ар. Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм мин бжыгъэкIэ къыщыдагъэкIащ Мамоновэм и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса буклет екIу. — Мы буклетыр къызэIузых дэтхэнэми гу лъетэ сурэтыщIым и IэдакъэщIэкI дахагъэхэм цIыхухэр зэрыхуэныкъуэм, ар лъагапIэщIэхэм зэрыщIэхъуэпсым. НэгъуэщIхэм гу зылъамытэ куэдым къытеувыIэурэ, зи сурэт ищIхэм я образыр пылъхьэншэу къегъэлъагъуэ. И скульптурэхэри щIэщыгъуэщ. Мысырым, Индием, Алыджым и IэпщIэлъапщIэхэм хуэдэу, мраморнэ скульптурэ хужьыр дыщафэм хуегъакIуэ. Аращ хуабэрэ нэхурэ къызыпкърыкI и лэжьыгъэхэр дыгъэ пэлъытэу щIызыхэтщIэри, — жиIащ Котляров Виктор. Мамоновэм къызэрыджиIамкIэ, и япэрей гъэлъэгъуэныгъэр щекIуэкIар 1996 гъэрщ. Иджырейм хигъэхьар лэжьыгъэщIэхэрщ. Выставкэр триухуащ философ, усакIуэ, критик, публицист Соловьев Владимир къызэралъхурэ илъэси 160-рэ зэрырикъум. Пхъэм къыхищIыкIащ Соловьев Владимир и скульптурэ лъагэр (2012 гъэ). Абы нэмыщI гъэлъэгъуэныгъэм щыболъагъу Соловьевым и портрет «Вестник» зыфIищар (2003 гъэ). Пхъэм, гипсым, мывэм къыхиIущIыкIа и скульптурэ екIухэм нэр ягъэгуфIэ, и сурэтхэм псэр яхьэху. «Жэщ нэхухэр» (1994 гъэ), «Натюрморт хужь» (2003 гъэ), «Удз гъэгъахэр» (2000 гъэ), «Губгъуэм къыщыкI удзхэр» (2000 гъэ) сурэтхэм щыболъагъу удз гъэгъа зэмыфэгъухэр, щыгъэхэр, хадэхэкIхэр. «Хужьрэ фIыцIэрэ» зыфIища и сурэтышхуэр Мамоновэм и лэжьыгъэ нэхъыфIхэм хабжэ. Псэущхьэхэм я нэхъ дахэу, губзыгъэу къалъытэ шыхэм я дахагъыр и сурэтым къызэрыщигъэлъэгъуар умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Нэхурэ дэрэжэгъуэрэ цIыхухэм езыт мы скульптурэхэмрэ сурэтхэмрэ дяпэкIи ныбжь тримыдзэну къытщохъу. Зэхыхьэм кърихьэлIахэм къыхагъэщащ Мамоновэ Светланэ зэчий ин зэриIэм мы выставкэр иджыри зэ щыхьэт зэрытехъуар, и лэжьыгъэхэр щIэщыгъуэ зэращыхъуар, абыхэм щIыуэпс къулейр, дахагъэр къазэрыхэщыр. Гу зылъытапхъэ: гъэлъэгъуэныгъэр гъатхэпэ пщIондэ зэIухауэ щытынущ. Абы еплъыну гукъыдэж зиIэхэр фрагъэблагъэ. ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25078.txt" }
Дунейпсо Адыгэ Хасэр, КъБР-м и «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэр, КъБР-м и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советыр, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэр КъБКъУ-м нэгъуэщI къэрал зэпыщIэныгъэхэмкIэ и управленэм и унафэщI, ДАХ-м и къэпщытакIуэ комиссэм и тхьэмадэ, профессор Къуэдзокъуэ Анатолий Къасым и къуэм хуогузавэ абы и къуэш Станислав Къасым и къуэр зэрылIам къыхэкIыу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25082.txt" }
Илъэс щэ ныкъуэ ирокъу Илъэс щэ ныкъуэ и пэкIэ, 1963 гъэм мазаем и 9-м, «Чегет» япэ кIапсэ гъуэгум бгы-лыжэ спортымрэ альпинизмэмрэ дихьэххэм Iуэхутхьэбзэхэр яхуищIэн щIидзащ. Абы и тхыдэм гукъинэж Iуэхугъуэ куэд къыхощыж. КIапсэ гъуэгухэм я унафэщIхэм юбилейм теухуа Iуэхугъуэ зыбжанэ мазаем и 18-м Чегет деж щрагъэкIуэкIынущ. КъБР-м и Правительствэм, Iуащхьэмахуэ район, Эльбрус къуажэ администрацэхэм я лIыкIуэхэр, хьэщIэ лъапIэхэр кърихьэлIэу гуфIэгъуэ зэхыхьэр къызэIуахынущ. ЗэIущIэм кърагъэблэгъэнущ кIапсэ гъуэгум и лъабжьэр щагъэтIылъам щыщIэдзауэ а IуэхущIапIэм щылэжьа ветеранхэр, нобэ а IэнатIэм егугъуу пэрытхэр. Абыхэм щIыхь тхылъхэр, фэеплъ саугъэтхэр иратынущ. Къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьынущ районым и творческэ гупхэр зыхэтыну махуэшхуэ концертымкIэ. Сабий-ныбжьыщIэ бгы лыжэ спорт школым зэхьэзэхуэхэр иригъэкIуэкIынущ. Метр 2735-рэ лъагапIэм тет «АЙ» кафем Урысейм щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэ Калинкин Михаил концерт щитынущ. ПщыхьэщхьэхуэкIуэу спортсмен зыбжанэ Чегет щыгум къежэхынущ, мафIэ яIыгъыу. Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщызыгъэпсэхухэм папщIэ «Чегет» кIапсэ гъуэгухэр зыгъэлажьэ IуэхущIапIэм фэеплъ хьэпшыпхэр игъэхьэзыращ. Гу зылъытапхъэ: 1963 гъэм мазаем и 9-м Совет Союзым и япэ кIапсэ гъуэгур Чегет бгым къыщызэIуахащ. Илъабжьэ станцыр метр 2100-рэ, ищхьэр метр 2750-рэ лъагапIэм щыIэщ. КIапсэ гъуэгум метр 1600-рэ и кIыхьагъщ. 1966 гъэм яутIыпщащ «Чегет-2» етIуанэ кIапсэ гъуэгур. 1969 гъэм лэжьэн щIидзащ Чегет дэкI, цIыхуитI зэрытIысхьэф кIапсэ гъуэгум. 1995 гъэм и гъатхэпэ — мэлыжьыхь мазэхэм Чегет щекIуэкIащ Совет Союзым пашэныгъэр къыщыхьыным теухуауэ, бгы-лыжэ троеборьемкIэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Австрием и лIыкIуэхэри. А лъэхъэнэ дыдэм, «Спартак» спорт зэгухьэныгъэр илъэс 30 зэрырикъум и щIыхькIэ, Швейцарием и спортсменхэр кърихьэлIэу бгы лыжэ зэпеуэхэр ирагъэкIуэкIащ. Мис апхуэдэурэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ и япэ бгы лыжэ трассэр дэни къыщацIыху хъуащ. Дуней псом и бгы лыжэ гъуэгу нэхъ гугъухэм ящыщу къалъытащ ар. 1966 гъэм Чегет лыжэ гъуэгум бгы-лыжэ спорт зэхьэзэхуэ куэд щекIуэкIащ. Абы щыгъуэ зэхэтащ СССР-м и Ещанэ щIымахуэ спартакиадэм и щIыналъэ, кIэух зэпеуэхэр, Совет Союзым щыпсэу лъэпкъхэм я етIуанэ щIымахуэ спартакиадэр, СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я спортсменхэм, профсоюзхэм я спорт зэгухьэныгъэхэм, Iуащхьэмахуэ сабий спорт школым и гъэсэнхэм я зэхьэзэхуэхэр. Тарим Алисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25083.txt" }
«ЗэIущIэ гъэщIэгъуэн» Аращ фIащар «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм пэщIэдзэ классхэм кIуэхэм яхуэгъэзауэ иджыблагъэ къыщыдэкIа тхылъым. Ар зэхэзылъхьар КъБКъУ-м филологиемкIэ и институтым Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэхэу филологие щIэныгъэхэм я кандидат Абазэ Албэчрэ Бозий Наимэрэщ. Усэхэмрэ рассказхэмрэ зэрыт тхылъым и бжыгъэр миным ноблагъэ. Абы щызэхуэхьэсащ ди усакIуэ, тхакIуэ нэхъыфIхэу АфIэунэ Лиуан, Ахъмэт МуIэед, Багъ Николай, Бемырзэ Мухьэдин, Бещтокъуэ Хьэбас, Бицу Анатолэ, Гугъуэт Масирэт, Гъэунэ Борис, Гъубжокъуэ Лиуан, Джэдгъэф Хъусен, Джаурджий Хьэтыкъэ, Джэтокъуэ Юрэ, Журт Биберд, Жылэтеж Сэлэдин, КIыщокъуэ Алим, КIуащ БетIал, Къагъырмэс Борис, Мыкъуэжь Анатолэ, Нало Заур, Сонэ Абдулчэрим, Тхьэгъэзит Зубер, Тхьэмокъуэ Барэсбий, Уэрэзей Афлик, Хьэту Петр, ХьэцIыкIу Хьэсэн, IутIыж Борис, нэгъуэщIхэми я тхыгъэ къыхэхахэр. ЕгъэджакIуэхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ мы тхылъым къыщагъуэтынущ усэхэр, рассказхэр, хъыбархэр, таурыхъхэр, псысэм щыщ пычыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. Адыгэ сабийхэм я гупсысэкIэр псыхьыным, я бзэм зегъэужьыным хуэлажьэ усакIуэхэм, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIу мы тхылъым ихуахэр цIыкIухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Гу зылъытапхъэ: тхылъыр къыщывгъуэтынущ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и тыкуэным. БжьыхьэлI Розэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25086.txt" }
Мы махуэхэм Мазаем и 9, щэбэт Аэрофлотым и махуэщ 1895 гъэм американ Морган Уильям волейбол джэгукIэр къигупсысащ. 1897 гъэм Урысейм и цIыхухэр япэу къыщыхатхыкIащ. Абы щыгъуэ къэралым цIыху мелуани 126-рэ мин 400-рэ щыпсэуащ. Узбек усакIуэ, гупсысакIуэ ин, къэрал лэжьакIуэ Навои Алишер къызэралъхурэ илъэс 572-рэ ирокъу. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Иуан Анатолий и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2 — 4, щIыIэр жэщым 1- 2 щыхъунущ. Мазаем и 10, тхьэмахуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэщ. Урыс усакIуэ щэджащэр 1837 гъэм дунейм ехыжащ. Дипломат лэжьакIуэм и махуэщ УФ-м и цIыхубэ артист Сонэ Мухьэрбий къызэралъхурэ илъэс 96-рэ ирокъу. ТхакIуэ, публицист, критик, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КхъуэIуфэ Хьэчим и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2 — 5, жэщым щIыIэр 1 — 3 щыхъунущ. Мазаем и 11, блыщхьэ Сымаджэм и дунейпсо махуэщ Жылагъуэ лэжьакIуэ, философие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Унэж Кашиф и ныбжьыр илъэс 67-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 — 6, жэщым 2 — 4 щыхъу-нущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25091.txt" }
Ди къуэш республикэхэм ЕрыскъыхэкI фабрикэ Абхъаз. «Пфайффер» нэмыцэ компанием лъахэм къыщызэIуихыну и мурадщ республикэм и санаторэ-курорт IуэхущIапIэхэм папщIэ ерыскъыпхъэхэр къыщIэзыгъэкIыну фабрикэ. Нэмыцэ хьэрычэтыщIэмрэ Абхъазым къэрал щIыб IуэхухэмкIэ и министр Чирикбэ Вячеславрэ щызэхуэзам, хьэщIэр экономикэ, инвестицэ щытыкIэхэм щыгъуазэ ящIащ. «Пфайффер» компанием и мурадхэри игъэнэIуащ — фабрикэр зэтраухуэмэ, санаторэхэм, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэм, хьэщIэщхэм папщIэ фIагъ зиIэ ерыскъыхэкIхэр къыщIигъэкIынущ. Лъахэм и зыплъыхьакIуэхэм я бжыгъэм хохъуэ Адыгей. Илъэс кIуам щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ, зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм процент 12-кIэ хэхъуащ. Республикэм Туризмэмрэ курортхэмкIэ и комитетым къызэритымкIэ, 2013 гъэм абы нэхъри зиужьыну щогугъ. Илъэс кIуам Адыгейм цIыху мин 287-м нэблагъэ къэкIуащ. Абы къыдэкIуэу, я Iуэхутхьэбзэхэм проценти 10-кIэ, налогыу ятым проценти 8-кIэ хэхъуащ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр республикэм и турист IэнатIэм, я унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр зыхиубыдэ Мейкъуапэ куейм и зыужьыныгъэм, кърикIуауэ къалъытэ. Гулъытэ хэха хуащI туристхэр къыдэзыхьэх я Iуэхутхьэбзэхэм нэхъри зегъэубгъуным, егъэфIэкIуэным. УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр яубзыху Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ КъШР-м къэкIуа, Урысей Федерацэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Верещагин Сергейрэ зэIущIащ. Ахэр республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм тепсэлъыхьащ. Темрезов Рашид 2013 гъэм щIыналъэ зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр иубзыхуащ. Лъэныкъуэхэр зэпкърыхауэ къытеувыIащ КъШР-м щыпхагъэкI инвестицэ проектхэм, псом хуэмыдэу Инжыдж районым щыIэ «Архъыз» курорт ухуэныгъэхэм. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25093.txt" }
Адыгэ бэнакIуэхэр Тыркум щытокIуэ Тыркум щыщ Марэш къалэм бэнакIуэхэм я дунейпсо зэпеуэ щекIуэкIащ мазаем и 5-м. Къалэм щылажьэ Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, зэхьэзэхуэм илъэс етIуанэ хъуауэ адыгэ бэнакIуэхэр ирагъэблагъэ. Зэпеуэм щытекIуахэр ягъэлъапIэ. Мыгъэрей зэхьэзэхуэр гукъинэж ищIащ абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ бэнакIуэхэр зэрыхэтам: Машэжь Расул (кг 55-рэ), Хъубий Азэмэт (кг 66-рэ), Жэмбей Сэлим (кг 74-рэ), Мер Арсен (кг 74-рэ), Тау Ратмир (кг 120-рэ). Гупым я тренер ЗэкIуий Арсен и гъэсэнхэм щIытеукIытыхьын щыIэкъым. ЩIалэхэм дыщэ медалитIрэ дыжьын медалитIрэ къахьауэ Хэкум къокIуэж: Хъубий Азэмэтрэ Мер Арсенрэ — дыщэ, Тау Ратмиррэ Машэжь Расулрэ — дыжьын. «Адыгэ бэнакIуэхэр» — апхуэдэущ ди щIалэхэр утыку зэрырашар — къадэщIыну къекIуэлIа тырку, адыгэ щIалэгъуалэм я нып хуарзэхэр плъагъуу, я адыгэ пшыналъэхэр зэхэпхыу утемыкIуэныр гугъут. Ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъужа бэнакIуэ щIалэхэмрэ абыхэм я тренер ЗэкIуий Арсенрэ адэкIи я ехъулIэныгъэхэм хагъэхъуэну дохъуэхъу. Емуз Баязыт. Тырку Республикэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25095.txt" }
Я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэм къыхегъащIэ «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Урал» (Екатеринбург) — 0:1 (0:1). Пафос къалэ (Кипр). «Йероскипу» стадион. Мазаем и 10-м. Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубок. Гуп зэпеуэ. Судьяхэр: Федотов (Мэзкуу), Миневич, Сулимов (тIури Смоленск щыщщ). «Спартак-Налшык»: Коченков, Багаев, Овсиенкэ, Тимошин, Засеев, Буйтрагэ, Галин (Зинович, 76), Чеботару, Руа, Аверьянов (Коронов, 63), Болэ (Сирадзе, 60). «Урал»: Котляров, Дранников (Данцев, 46), Тумасян, Ойеволе (Вьештицэ, 46), Ревякин (Новиков, 46), Бочков (Помогаев, 67), Асеведэ (Петрович, 46), Скрыльников (Герк, 46), Астафьев (Семакин, 46), Рыжов (Манучарян, 46), Бирюков (Кобялкэ, 47). Топхэр дагъэкIащ: Асеведэ, 31 — пенальтикIэ (0:1). Дагъуэ хуащIащ Овсиенкэрэ Буйтрагэрэ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012-2013 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм щIидзэным къэнэжар зы мазэщ. Абы къыхэкIыу командэхэм я джэгукIэр нэсу зэрызэтрагъэувэным яужь итщ. Щэбэт кIуам Кипрым щыщIэзыдза Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокыр къэхьыным теухуа зэпеуэр а лъэныкъуэмкIэ хуабжьу сэбэп зэрыхъунум шэч хэлъкъым. Дэтхэнэми Iэмал игъуэтынущ и Iуэхур зытетыр къипщытэжыну. Кипрым кIуэн и пэкIэ «Спартак-Налшыкым» зэрыхыхьамкIэ зэгурыIуэныгъэм Iэ традзащ Братск и «Сибиряк»-мрэ Курск и «Авангард»-мрэ нэгъабэ щыджэгуа гъуащхьэхъумэхэу Галин Дмитрийрэ Тимошин Никитэрэ, Санкт-Петербург и «Петротрест»-мрэ Мэзкуу и «Локомотив-2»-мрэ къикIа гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Аверьянов Алексейрэ Зинович Дмитрийрэ. А унэцIэхэм зыри къыбжаIэркъым икIи ди командэр ягъэлъэщыфыну фIэщщIыгъуейщ. Абы щыгъуэми Минск и «Динамо»-м илъэс ныкъуэкIэ бэджэнду иратащ налшыкдэсхэм я гъуащхьэхъумэныкъуэ нэхъ лъэщыIуэ, Босниемрэ Герцеговинэмрэ я гуп къыхэхам щыджэгу Захирович Аднан. А Iуэхугъуэхэм къагъэлъагъуэ, сыт хуэдэ псалъэмакъхэр ирагъэкIуэкIми, «Спартак-Налшыкыр» мы гъэм премьер-лигэм зэрыхущIэмыкъунур, апхуэдэ къаруи зэрыбгъэдэмылъыр. Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокыр къэхьыным теухуа зэпеуэм и пэщIэдзэ зэIущIэм ди щIалэхэм хьэрхуэрэгъу къащыхуэхъуат ар нэгъабэ зыIэрызыгъэхьа Екатеринбург и «Урал»-р. Налшыкдэсхэр абы хуэфэщэну пэщIэтащ икIи къызэрыхагъэщIар зэIущIэм и 31-нэ дакъикъэм пенальтикIэ къыхудагъэкIа топ закъуэм и зэранкIэщ. Багаевым футбол хабзэр къызэрызэпиудам къыхэкIыу, судьям метр пщыкIузым игъэлъэгъуащ. «Спартак-Налшыкым» Iэмал хъарзынэхэр иIащ бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжыну. АрщхьэкIэ хузэфIэкIар мащIэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ ди щIыпIэм къыщалъхуауэ мы зэIущIэм щыджэгуар Болэ Руслан зэризакъуэр. Ари етIуанэ Iыхьэм яхъуэжащ. ФIэщщIыгъуейщ апхуэдэу, хамэ защIэ тегъэщIапIэ ящIакIэ, налшыкдэсхэм ехъулIэныгъэ гуэрхэр яIэну икIи абыхэм я джэгукIэм еплъыну цIыхухэр ди стадионым екIуэлIэну. 0:1-уэ къызэрыхагъэщIам «Спартак-Налшыкым» зыхэт гупым щригъэкIуэкI бэнэныгъэр нэхъ гугъуж ищIащ. АдэкIэ и хьэрхуэрэгъуну Волгоград и «Ротор»-мрэ Новосибирск и «Сибирь»-мрэ хигъащIэми, фIэщщIыгъуейщ бжьыпэр хуэубыдыну. АрщхьэкIэ хэт ищIэн, телъыджэ гуэрхэр къытпэплъэми тщIэркъым. КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр ди щIалэхэм мазаем и 13-м ирагъэкIуэкIынущ. Мэзкуу и зэманымкIэ сыхьэт 13-м ахэр «Ротор»-м IущIэнущ. Волгограддэсхэм вэсэмахуэ «Сибирь»-р 2:0-у хагъэщIащ. Кипрым щрагъэкIуэкIа зэIущIэм иужькIэ «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Шыпш Тимур жиIащ и гъэсэнхэм тепщэныгъэр нэхъ зэраIыгъар, арщхьэкIэ пенальтим и зэранкIэ къызэрыхагъэщIар. Абы къыхигъэщащ япэ лигэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм тегъэщIапIэ щищIынур. «Урал»-м дэджэгуахэр зэрыарар. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25101.txt" }
Сталиград зауэ — 70 Хэкум игъэгушхуэр хахуэ мэхъу Налшык къалэ дэт етIуанэ курыт еджапIэ-лицейм зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ. Ар теухуат нэмыцэ-фашист зэрып-хъуакIуэхэм Сталинград къызэрыIэщIагъэкIыжрэ илъэс 70 зэрырикъум. Курыт школым щIэс цIыкIухэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ нэмыщI, зэхуэсым къекIуэлIат Индыл псы Iуфэм щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм ди республикэм щыщу псэемыблэжу хэта нэхъыжьыфIхэр, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм, Налшык къалэ ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым, ветеранхэм я къалэ советым я лIыкIуэхэр, журналистхэр. Пшыхьыр къызэIузыхари езыгъэкIуэкIари езы школым щеджэ цIыкIухэрщ. Ахэр, зэхуэсым къекIуэлIа псоми къабгъэдэкIыу, Сталинград зауэм хэта ветеранхэм махуэ лъапIэмкIэ ехъуэхъуащ. Я цIэ-унэцIэхэр зырызыххэу къыщраIуэм, пэшым щIэсахэм абыхэм Iэ-гуауэшхуэ хуаIэтащ. Псалъэ иратащ Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Дол Анжелэ: — ИлъэсыщIэр къызэрихьэрэ ди республикэм ТекIуэныгъэм теухуа IуэхущIафэ зыбжанэ щыдогъэкIуэкI, — жиIащ абы. — Абыхэм ящыщщ нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрыIэщIагъэкIыжрэ, Сталинград деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм советыдзэр зэрыщытекIуэрэ мы гъэм илъэс 70 зэрырикъум ехьэлIахэр. Нобэ дигу къыдогъэкIыж Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ 115-нэ шууей дивизэм Сталинград и Iэшэлъашэхэм щызэрихьа лIыгъэр. Адыгэ, балъкъэр шууейхэм къалэм хьэщхьэрыIуэу хуеIэ бийр Сал псым къегъэщIылIа губгъуэжьым махуэ зыбжанэкIэ щызэтраIыгъащ. Индыл Iуфэ Iут къалэшхуэр хуит къызэра-щIыжрэ илъэс 70 зэрыри-къум теухуа Iуэхугъуэхэр мазаем и 2-м Волгоград Iэтауэ щекIуэкIащ. Абыхэм хэтащ ди республикэм щыщ ветеранхэри. Нобэ ди хьэщIэщ а махуэм Волгоград щыIахэу Герасименкэ Нинэрэ Асташевэ Любовьрэ. АдэкIэ Дол Анжелэ Индыл Iуфэ Iут къалэм и Iэтащхьэ Боженов Сергей ди республикэм щыщ ветеранхэм къазэрехъуэхъу телеграммэм къеджэри, дэтхэнэми зырызыххэу къахуигъэхьа фIыщIэ тхылъри яритыжащ. Зэхыхьэм къекIуэлIахэр Сталинград зауэм хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэри, зауэлI фащэкIэ зэщыхуэпыкIа еджакIуэхэм ТекIуэныгъэм и Бэракъ Плъыжьыр утыку кърахьащ. АдэкIэ псалъэ иратащ ветеранхэм я Налшык къалэ советым и унафэщI Абдуллаев Мустэфа: — ЦIыкIухэ! — захуигъэзащ абы пэшышхуэм щIэмыхуэжу щIэс ныбжьыщIэхэм. -ГъащIэр нэхъ IупщI, зэхэщIыкIыгъуафIэ зыщI тхыдэ Iыхьэщ нобэ фызэдгъэдаIуэр! Мыбыхэм сыт текIуэныгъэ къыщIахьар? Хэкум лъагъуныгъэшхуэ хуаIэти аращ. АтIэ дэри ды- къыщалъхуа щIыналъэм апхуэдэу дыхущытмэ, хэт къыттекIуэфыну щыIэр?! Си псэр зэзгъэшхынхэ, нэ-хъыжьхэм гуапэу фахущыт. Псом хуэмыдэу гулъытэ яхуэфщI Хэкур яхъумэн папщIэ фашистхэм япэщIэтахэм. Абыхэм ящыщу псэууэ къэнэжар мащIэ дыдэщ. ГъащIэм и хабзэр аращи, ахэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэж хъунущ. ЕджакIуэ цIыкIухэр Сталинград щекIуэкIа зэхэуэхэм я едзыгъуэ зэхуэмыдэхэр къызыхэщыж усэхэм къеджащ. Пэшышхуэм къыщызэхуэсахэм я пащхьэ къиува пщащэм гущIэгъумрэ гу щабагъэмрэ ухузэщIэзыгъэушэ уэрэд дахэ жиIащ. Макъамэ дахэ зыщIэлъ псалъэхэр щызэхэпхкIэ, зауэм хэта цIыхухэмрэ абыхэм япэплъэу унэм иса я благъэхэмрэ зыхащIэу щыта гурыгъузыгъэр уи нэгу къыщIигъэувэрт. Уэрэдым декIуу адрей цIыкIухэм шэху уэздыгъэхэр утыку кърахьэри, гъэлъэгъуапIэм и кум ит вагъуэ къуапитхур зэщIагъэнэхуащ. Баш цIыкIу иIыгъыу утыкум кърашащ ветеран Асташевэ Любовь. Ар Сталинград дэт трактор щаухуэ заводыр зыхъумахэм, 237-нэ зенитнэ-топгъауэ полкым хэтахэм ящыщщ. — Зауэм утепсэлъыхьыжыну гугъущ, — жеIэ Асташевэм. — Зы топышэ къытIэщIэмынэжыху бийм дыпэщIэтащ. Абы и ужькIэ, гъунэгъуу щыт унэ зэтекъутахэм закъуэдгъапщкIуэурэ, фочрэ автоматкIэ тхуэщIэ къэдгъэнакъым. Зэхэуэхэр нэхъ кIащхъэ щыхъум, комиссарым дэ ттеухуауэ жиIауэ зэхыдохыж: «ЦIыхубзхэм бийр трактор щащI заводым бгъэдагъэхьакъым!» И къэпсэлъэныгъэм и кIэм Асташевэ Любовь уэрэд гъэщIэгъуэн жиIащ. Зэхэуэ гуащIэхэр здекIуэкIым, сэлэтхэм ядэIэпыкъуу яхэт, ЛюсэкIэ зэджэ пщащэ нэщIэпкIэ цIыкIур зэрыхэкIуэдам теухуат ар. ЩхьэлъащIэр зыгъеижурэ щIэзылъхьэ зауэлIхэм я гум къигъыкI хуэдэт а уэрэдым щIэлъ псалъэхэри. Абыхэм едаIуэу, пэшым щIэс балигъи ныбжьыщIи ягухэр къызэрызэфIэзэрыхьам гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. ЕджакIуэхэр зырызых- хэурэ ветеранхэм ябгъэдыхьэри удз гъэгъахэр IэщIалъхьащ. — Ди ветеран лъапIэхэ! -жиIащ Iуэхур щекIуэкI еджапIэм и унафэщI Мэлбахъуэ Борис, нэхъыжьхэм захуигъазэри. Мазаем и 2-м ирихьэлIэу ди еджакIуэхэм ящыщ зыбжанэ Волгоград дгъэкIуат. Абыхэм фэр папщIэ тыгъэ гуэрхэр къедгъэшащ. Абыхэм яхэтщ Сталинград щекIуэкIа зауэм и лъэхъэнэм ди сэтэтхэм ящхьэрыгъыу щыта «пилоткэ» пыIэ цIэрыIуэри. КъищынэмыщIауэ, фи сурэтхэр зэрыт махуэгъэпс цIыкIухэри фхуэдгъэхьэзыращи, зи гугъу сщIахэр, тIэкIу тфIэмащIэми, ди гуапэу тыгъэ фхудощI. ЗэIущIэм кърагъэблэгъат Налшык къалэ дэт курыт еджапIэхэм зауэ лъэхъэнэм теухуа хьэпшыпхэр щаIыгъ хъумапIэхэм я лэжьакIуэхэри. Ахэр утыку кърашэри, Волгоград къраха ятIэм щыщ щIы Iэбжьыб зэрылъ чысэ цIыкIу зырыз иратащ. Къызэхуэсахэм я гур хигъахъуэу, утыкум телъы-джэу къыщыпсэлъащ зи ныбжьыр илъэс 89-м хыхьа ветеран Хазан Борис. Ар зауэм зэрыхэтам, лIыгъэу щызэрихьам зэрыригушхуэр и макъым къыхэщырт. — Пэжкъым гугъуехь псоми хуэхьэзыр цIыху зэрыщыIэр, — жиIащ абы. — Дэтхэнэ зы нэрыбгэми и гу лъащIэм аддэ куууэ щIэгъэп- щкIухьауэ лIыгъи щтэIэщтаблагъи щIэбгъуэтэнущ. А тIум ящыщу тригъэкIуэнур зэлъытар, дауи, езы цIыхуращ. МыдэкIэ фэ ныбжьыщIэхэм зэхывэзгъэхынут: цIыху щыпкъэу дунейм фытетыну фыхуеймэ, къывбгъэдэтым гущIэгъу хуэфщI, абы и гукъеуэр зыхэфщIэ, нэгъуэщIым сэбэп фыхуэхъуныр зыщывмыгъэгъупщэ. ЗэIущIэр езыгъэкIуэкI щIалэмрэ пщащэмрэ къызэдэуджурэ, пэшым щIэс ветеранхэм ябгъэдыхьащ, абыхэм ящыщу зы цIыхухъурэ зы цIыхубзрэ къыдашри, вальс къадэфащ. «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и исполкомым и унафэщI Канунниковэ Татьянэ езыр зи пашэ цIыхухэм я цIэкIэ ветеранхэм ехъуэхъури, тыгъэ цIыкIухэри яхуигуэшащ. Зэхыхьэр и кIэм нэблэгъащ. Шэч хэлъкъым, къытщIэхъуэ щIэблэм я дежкIэ, мыбы хуэдэ зэхуэсхэр егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм и теплъэгъуэ нэхъыфIхэм зэращыщым. КЪУМАХУЭ Аслъэн. Сурэтыр ТОЛГУРОВ Камал трихащ. ЩIэблэм и гъуазэ Сталинград деж щекIуэкIа зауэр зэриухрэ илъэс 70 зэрыри-къум теухуауэ Май щIыналъэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейм гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ. «Сталинград зауэм хэта ди зауэлIхэр» фIэщыгъэм щIэту къызэIуаха выставкэм къыщыгъэлъэгъуащ ди къэралым къихьа Те-кIуэныгъэ иныр куэдкIэ зэлъытауэ щыта зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьа, Невский Александр и орденыр зыхуагъэфэща Цыбулин Степан, зи хахуагъэм и хъыбар куэдым зэлъащIыса Исаев Матвей, Воровьевэ Надеждэ сымэ я зауэ гъуэгуанэ хьэлъэр. Къапщтэмэ, Сталинград зауэшхуэм Май щIыналъэм щыщу цIыху 80 хэтащ. Зэхуахьэса сурэтхэм ящIыгъущ абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми теухуа хъыбархэмрэ къэралым къахуигъэфэща дамыгъэхэмрэ. Музейм и унафэщI Федоровэ Еленэ щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, мазаер икIыху ягъэлъэгъуэну выставкэм ипкъ иткIэ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ди цIыхубэм яхэлъа лIыгъэм, шыIэныгъэм, я нэгу щIэкIа гугъуехьхэм теухуа лекцэхэр ирагъэкIуэкIынущ. Абы хэтынущ курыт школхэм щеджэхэр. Шэрэдж Дисэ. Тхыдэм и лъабжьэу Советыдзэр Сталинград зэрыщытекIуэрэ илъэс 70 зэрырикъум теухуа зэIущIэхэр республикэм иджыри щокIуэкI. А Iуэхум щыпащащ ныбжьыщIэхэм я библиотекэ Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэми. Абы кърихьэлIат зи гугъу тщIы зауэ гуащIэм мызэ-мытIэу псэзэпылъхьэпIэ щихуа ветеранхэр, школакIуэхэр, студентхэр. Советыдзэм зэрихьа лIыгъэм, сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ Хэку зауэшхуэм къыщагъэлъэгъуа хахуагъэм, пэжагъ нэсрэ лъагъуныгъэ мыкIуэщIрэ зи лъахэм хузиIа зауэлIхэм ятепсэлъыхьащ библиотекэм и лэжьакIуэхэр. Промышленность псынщIэмкIэ колледжымрэ Налшык къалэм и курыт школ №5-м щеджэхэмрэ иджыри зэ ягу къагъэкIыжащ илъэс 70-кIэ узэIэбэкIыжмэ екIуэкIа зауэм къэралым хэщIыныгъэшхуэ къызэрыхуихьар. 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м щыщIэдзауэ 1943 гъэм мазаем и 2 пщIондэ екIуэкIа Сталинград зауэшхуэм ди сэлэтрэ офицеру минищэ бжыгъэхэр хэкIуэдащ. Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ Сталинград щекIуэкIа зэхэуэр цIыхухэм нобэр къыздэсым зэращымыгъупщэр, мамыр гъащIэм щIэзэуа лIыхъужьхэм я фэеплъхэр зэрахъумэр. Совет сэлэтхэм я Iыхьлыхэм къыхуагъэхьа, текIуэныгъэр къызэрыблагъэр къызыхэщ тхыгъэхэм къызэхуэсахэм я нэпс къригъэкIуат. Апхуэдэу кърихьэлIахэр едэIуащ Щипачев Степан итха «Не потому ли я живу, что умерли они?» усэм. Хэку зауэшхуэм и ветеран Жуков Василий къызэхуэсахэр дежьууэ игъэзэщIащ «Поклонимся великим тем годам» уэрэдыр. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым и студентхэм зауэмрэ текIуэныгъэмрэ теухуа уэрэдхэр жаIащ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25105.txt" }
ЩIалэгъуэ Ди хьэщIэщым Кхъузанэм хуэдэ зэманым къыхихыр нэхъыфIхэрщ Узыщышынэн хуейр лIэныгъэракъым, атIэ гъащIэ надэрщ, жиIэгъауэ щытащ нэмыцэ тхакIуэ Брехт Бертольд. Аращ и гъащIэ гъуазэр «ЩIалэгъуэм» и хьэщIэщым къытхуеблэгъа Лу Азэмэт. Ар 1987 гъэм Алътуд къуажэм къыщалъхуащ, школыр дыжьын медалкIэ къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым экономикэмкIэ и факультетым щIэтIысхьэри, ехъулIэныгъэфIхэр иIэу 2010 гъэм дипломыр къихьащ, иджы аспирантурэм щоджэ. Еджэным, щIэныгъэм зэрыхэзагъэм къищынэмыщIауэ, Азэмэт IуэхукIи жы-джэрщ. Ар 2007 гъэм Москва щIалэгъуалэ проектхэм я Урысейпсо зэпеуэ щекIуэкIам щытекIуащ; жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым папщIэ, КъБКъУ-м и щIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ; «Си къэрал — си Урысей» урысейпсо зэхыхьэм зэрыхэтам папщIэ КъБР-м и Парламентым, абы и ЩIалэгъуалэ палатэм я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ; КъБКъУ-м щIэныгъэмкIэ и советым хэтщ, 2012 гъэм ар хахащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студент зэгухьэныгъэхэм я советым и унафэщIу. — Школым сыщыкIуам си анэшхуэрат сезыгъаджэри, ар зэрызмыгъэукIытэным, Iэмал зэриIэкIэ, нэхъыфI сызэрыхъуным сыхущIэкъу зэпытт, — къыддогуашэ щIалэр. Сыт хуэдэ Iуэху кърахьэжьэми сфIэгъэщIэгъуэну сыхэтт. Школ, класс зэхэдзэ куэдрэ сщIын хуей зэрыхъуам сыт хуэдэ гупми псынщIэу захэзгъэзагъэу, садекIуэкIыфу, абыхэм фIыуэ яхэлъыр къызэрысщтэным яужь ситу сригъэсащ. Уи япэ итхэм, уи гъуэгугъэлъагъуэхэм узэрытрагъэгушхуэм,плъэкIынумкIэ фIэщхъуныгъэ уэзыгъэщIхэм куэд елъытащ. Нобэхэми IэфIу си гум илъщ си егъэджакIуэфIхэр. Апхуэдэщ япэу сезыгъэджа Пэф Хьэцацэ (Дыгулыбгъуей къуажэ), ди класс унафэщI КIуэкIуэ ФатIимэ (Бахъсэн), Тхьэлыджокъуэ Светэ (Алътуд къуажэ).гъащIэм зыгуэркIэ сыхэзэгъамэ фIыщIэр зейхэм мыхэри ящыщщ.«И кIэм упытми, зы гуп яхэт» — жиIэкъэ адыгэм? Гупым хуэдэу узыгъасэ, нэхъыбэ къозыгъащIэ, узыпсыхь щыIэу къыщIэкIынкъым. Хьэл схуэхъуауэ,хэдэ симыIэу, сыт хуэдэ зэпеуэми сфIэгъэщIэгъуэну зеспщытырт. ГъащIэр жыглъагэшхуэм ещхьщ. А жыгым нэхъ лъагэу удэпщеиху, нэхъ гугъу уохь, ауэ а гугъуехьыр къыпфIэIуэхукъым, зыпIэтыху, уи хъуреягъым нэхъыбэ щыболъагъури. Аращ университетым сыщыщIэтIысхьам си ныбжьхэм закъыкIэрызмыгъэхуну яужь сыщIитар. Университетым и япэ илъэситIым еджэн фIэкIа Iуэху симыIэу ар згъэнэхъапэрт. А зэманым сэ хьэкъыу спхыкIащ: мы гъащIэм къыщохъулIэнур къанэ щымыIэу зэлъытар уэращ. Щхьэх жыхуаIэр умыщIэу уи мурадым ухущIэкъумэ — къохъулIэнущ, нобэ мыхъурэ, пщэдей, уемызэшу уи мурадым ухуэкIуэ закъуэмэ. ЕтIуанэ курсым сыщIэсу студент зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэр къыхахын хуей щыхъум сыкъагъэлъэгъуати, хьэуэ схужыIакъым. Абдеж щегъэжьауэ щIэщыгъуэ гуэрхэр къэдгупсысурэ дэ езыхэр дыдихьэхыжащ. Ди щIалэгъуалэр Ветеранхэм я советми дыдолажьэ, нэхъыжьхэм гулъытэ яIэн зэрыхуейм тет- щIыхьу. — Сыт хуэдэ къалэнхэр и пщэ дилъхьэжрэ фи студент зэгухьэныгъэм? — Ди зэгухьэныгъэм и мыхьэнэр икъукIэ инщ, псом япэрауэ, студентыр зэреджэм, зэрызигъэпсэхум теухуауэ. Зи жагъуэ ящIам дыкъыщхьэщыжын хуейуэ къыщытхуихуэ къохъу. Махуэ щIагъуэ дэкIыркъым щIалэгъуалэм я зыужьыныгъэм ехьэлIауэ зы Iуэхугъэ дахэ гуэр къэдмыIэту. Хуабжьу ди гуапэ мэхъу ахэр ди нэхъыжьхэм къызэрыддаIыгъыр. Еджэгъуэ сыхьэтхэр зыуха студентым къыхуэна зэманыр Iуэхуншэу имыгъэкIуэн щхьэкIэ, зи щIалэгъуэрдэзыхьэхынкIэ хъунум тещIыхьауэ гуп щхьэхуэхэр къызэ-дгъэпэщащ. Ди студентхэр хэтщ конференцэ зэмылIэужьыгъуэхэм, зэпеуэхэм, зэхыхьэхэм. Къыхэгъэщыпхъэхэм ящыщщ дэ едгъэкIуэкI «Перспектива» дунейпсо конференцэр. Абы хэтщ щIэныгъэм дихьэх ныбжьыщIэхэр. Нэгъабэ едгъэкIуэкIам Мексикэм щыщ щIалэ къедгъэблагъэри хэтащ. Адрей къэралхэм щеджэ студентхэм я щIэныгъэмрэ я къэухьыр здынэсымрэ ди студентхэм къедгъэщIэну, зэрыдгъэцIыхун гуращэ диIэу аращ. КъыжыIапхъэщ, хамэ къэрал студентхэм жэуап зэрыратыжын щIэныгъэ дыдейхэм зэрабгъэдэлъыр. Ди лъэпкъ хабзэмрэ бзыпхъэмрэ зыми зэрыпэдмыщIым и щыхьэту, зэрытлъэкIкIэ, ахэр тхъумэну яужь дитщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къалэм дэсхэм я нэхъыбэм я анэдэлъхубзэр ящIэжыркъым, къуажэдэсхэри, абыхэм зрагъэщхьу, урысыбзэкIэ мэпсалъэ, къыдалъхуа бзэм щIэнакIэ хуэдэ. СыткIэ апхуэдэхэр къызэрыбгъэдэIуэфынур? КъафэкIэ, уэрэдкIэ. Япэ курсым къыщыщIэдзауэ къыхыдох макъ гуакIуэ зиIэхэр. Фестивалхэм, утыку зэмылIэужьыгъуэхэм абыхэм зыкъыщагъэлъэгъуэну Iэмал ядот. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм я щапхъэ нэрылъагъущ псоми фIыуэ яцIыху «Амикс», «Стимул», «Солнышко» гупхэр, абыхэм къищынэмыщIауэ, къэфакIуэхэри диIэщ. Мис ахэр псори дахэу «Студент гъатхэ»махуэшхуэхэм хэтщ. Спортым утепсэлъыхьмэ, ди университетыр спорт IуэхущIапIэкIэ тэмэму къызэгъэпэщащ. Абыдихьэх студентхэр талон тIахыукIуэну хуитщ. АбыкIэ жысIэну сызыхуейращи, студентым и дерсхэр иуха нэужь, дэзыхьэхым, фIэгъэщIэгъуэным елъытауэ, зэманыр пщIэншэу имыгъэкIуэду, дэ ищIэн къыхуэдгъуэтынущ. Газетеджэ адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм селъэIуну сыхуейт я бынхэр спорт, щэнхабзэ Iуэхухэм трагъэгушхуэу хагъэхьэну. А псор щIалэгъуалэм сэбэп яхуохъу дуней тетыкIэ дахэ яIэнымкIэ. — НыбжьыщIэхэм уахэтщ, зэрыжаIэщи, «зы хьэуакIэ фобауэри», уэ дауэ уеплърэ,ди лъэпкъым и къэкIуэнур сыт хуэдэ? — Куэдрэ согупсыс сэри абы, блэкIамрэ нобэмрэ зэзогъапщэ. Пэжщ, мыхъумыщIагъэ куэд щыдолъагъу ди хъуреягъым, ауэ си гупсысэм сыт щыгъуи щытекIуэр фIыращ. ЩIалэгъуалэм куэду яхэтщ жыджэру, губзыгъэу, я хабзэм тетыжу, я нэмыс яIыгъыжу, къызыхэкIа унагъуэр зэрамыгъэукIытэным, зэрагъэгушхуэным яужь иту еджэнми лэжьэнми зыхэзыгъэзагъэхэр. Дунейр къызэрыунэхурэ Iеймрэ фIымрэ зэпэщIэтщ, нобэ ар нэхъ гъэщIэгъуэн щIытщыхъун щыIэкъым. «Хъуркъым» жыпIэу гугъэр хэпхыжыныр сыт нэхъри нэхъ тыншщ. Башу ядзыр зытехуэ щIэблэракъым лажьэ зиIэр, атIэ а башыр зыутIыпщхэращ… ЩIым жылэ тепсэрэ а жылэр удзыжьхэм ящыпхъумэу зепхьэмэщ бэв хъуауэ къыщепхьэлIэжынур, хадэ умыпщIэм удзыжь къызэрыщыкIымкIэ хэт бгъэкъуэншэнур?.. ЦIыхур щагъасэ унагъуэм куэдкIэ елъытащ абыдуней еплъыкIэу иIэнури абы къищIыкIынури. Иджырей щIэблэр хиубыдащ унагъуэ псори гугъу щехьа 90 гъэхэм. А зэманым адэ-анэ хъуну къызыхуихуахэм щIакхъуэ уасэ къызэралэжьыным тегужьеикIауэ, быныр зэрадзэкIрэ сату ящIэу щытат. НобэкIэ гуныкъуэгъуэ къыдэзытыр щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ зымыгъуэта, унагъуэм, лъэпкъым, хэкум нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр хьэкъ зыщамыщIа щIалэгъуалэрщ. ИлъэсипщI и пэкIэ цIыхухэм я дежкIэ унагъуэм иIа мыхьэнэмрэ иджы иIэмрэ зэхуэдэкъым. КъагурыIуэжауэ къысщохъу абы нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр. Псом япэу щIэблэм ищIэн хуейр ди зэманми щIэныгъэм, цIыхугъэм, пэжыгъэм щIэупщIэрэ гъуэгурэ зэрыщиIэнурщ. Кхъузанэм хуэдэ зэманым къыхихыр нэхъыфIхэращ. — ЗэрытщIэщи, уи мурадхэр куэдщ, ахэр укъызыхэкIа лъэпкъым сыткIэ епха? -Ди нэхъыжьхэм къытхуагъэна хабзэмрэ хъугъуэфIыгъуэмрэ зэрысхуэхъуэжын дыщи дыжьыни мы дунейм теткъым. ФIыгъуэ мылъытэ жыхуаIэращ ахэр. Дэ къыдгурыIуэн хуейщ: е ди лъэпкъым иIэ фIыгъуэ псори тхъумэжын папщIэ Iэмалу щыIэр къэдгъэсэбэпын, е IэщIыб тщIыуэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм дахэзэрыхьыжын. Дуней зызыужьым, зызыхъуэжым и хабзэ гуэрхэри къэдмыщтэнкIэ Iэмал иIэкъым, ауэ ухущIэкъумэ, ууейри пхуэхъумэнущ, гууз-лыуз а псом хууиIэмэ. Сэ сыхуитамэ, лъэпкъ зэхуэсхэр нэхъыбэрэ езгъэщIынут, зэблагъэ-зэIыхьлыхэр зэрыцIыхун, зэрылъытэн, зэрыщIэн хуейщ. Я цIыху пэрытхэр къыхэгъэщауэ зэрытын тхылъ лъэпкъ къэс къыдезгъэгъэкIынт, ар къыдэкIуэтей щIэблэм ялъагъумэ, я щхьэр лъагэу яIэтынущ, къызыхэкIам зэрыхуэфэщэным яужь итынущ. — Уи дежкIэ гъащIэм щынэхъапэр, сыт хуэдэ щытыкIэ уихуэми, узэбакъуэ мыхъуну щыIэр сыт? — Уи напэр къабзэу, узэрыадыгэр пщымыгъупщэу, цIыхум узэригъэсар уи IуэхущIафэм къыхэщу щытыным нэхъапэ зыри щыIэкъым. ЦIыхум мурад иIэн хуейщ, а мурадым жэщи махуи хуэкIуэу, ар тIэкIу-тIэкIуурэ зригъэхъулIэу. Си дежкIэ цIыхугъэм, унагъуэ дахэм нэхъапэ зыри щыIэкъым. Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ. Iуэхутхьэбзэ зыщIэм гукъанэ хуащIыркъым Пэжыр сыт хуэдизкIэ щIумыхъумами, зэ къыщIощыж. Уи щхьэ упэлъэщмэ, улъэщщ. ЩIэныгъэ зимыIэ пхуэгъэсэнущ, напэ зимыIэм и гугъу умыщI. уэхуфIкIэ гъэнщIа гъащIэр кIыхьщ. ЦIыхум я нэхъ къулейр дунейм и дахагъэр зыхэзыщIэрщ. Iуэхутхьэбзэ зыщIэм гукъанэ хуащIыркъым. Къарум къыхуэмыIэт куэд акъылым хузэфIокI. ГубэщIыкI Владимир. «Псынэм» «Жылэ» къыхокIыкI Иджыблагъэ дунейм къытехьащ адыгэм и гъащIэмрэ и хабзэмрэ хуэгъэпса «Псынэ» журналым и зи чэзу къыдэкIыгъуэр. Щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ журналым и къыдэкIыгъуэр гувами, ар зыхуей хуэзауэ дунейм къытехьащ, щIэджыкIакIуэхэр зыпэмыплъа щIэщыгъуэ куэди итщ. «Псынэ» журналыр къызэIуех журналист Ширдий Маринэ Урысейм ФедерацэмкIэ и Советым хэт Дер Вячеслав дригъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэмкIэ. Тхыгъэм фIащам — «Ныбжьыр хэкIуэтэху, лъэпкъ гупсысэр щхьэми гуми нэхъ къотIысхьэ» — гурыIуэгъуэ ещI лъэпкъым и нобэм игъэгузавэ сенаторым жиIэн зэриIэр. Дерым зэпкърыхауэ и гугъу ещI ФедерацэмкIэ Советым и лIыкIуэ гуп Сирием зэрыщыIам, абы щыпсэу адыгэхэм я Iуэхур зытетым. Абыхэм Iэмалрэ хэкIыпIэу яIэм, дазэрыдэIэпыкъуфынум, лъэпкъым и щхьэ зэрихъумэжыным яужь зэритыпхъэм, нэгъуэщIхэми. Ширдийм и тхыгъэм пызыщэщ Фырэ — Къаныкъуэ Анфисэ и тхыгъэр, «Зауэр зи Iэпэгъуу, гуауэр зи кIэм ит…» зыфIищар. Анфисэ зи гугъу ищIыр ЩамщекIуэкI зауэм кърихужьа адыгэхэм ящыщу ди щIыналъэм къэзыгъэзэжахэрщ. Тхыдэр, лъэпкъым и блэкIар фIыуэ зылъагъухэм дежкIэ сэбэпщ Пэдис Бэтэрэз и «Нарт Хъищэм и Iуэхур» тхыгъэр.Нарт эпосым, лъэпкъым зэригъэпэща хъугъуэфIыгъуэм и гъэпсыкIэм, абы адыгэпсэрэ адыгэбзэу хэлъым теухуащ Бэтэрэз и тхыгъэр. ЩIэныгъэрылажьэхэу Пащты (Мыжей) Мадинэрэ Табыщ Муратрэ Тыркум и Къайсэр къалэм къегъэщIылIа адыгэ къуажэхэм щыIащ. Абы щызэхуахьэсыжа псалъалъэ кIэщI журналым тредзэ. Псалъалъэр Iыхьищу гуэшащ: дауэдапщэм епхахэр; IуэрыIуатэ псэлъафэхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ; псалъэжьхэр. «Псынэм» и напэкIуэцIхэм адэкIэ къыпещэ адыгэ пшынэм теухуауэ Тэгъулан Екъуб и хъыбарым. ГъэщIэгъуэн дыдэщ IуэрыIуатэр и лъабжьэу, щIэщыгъуэу зэхэухуэна хъуа «Нэпсищ хуэдиз псэпс» жиIэу Къудей Дилэк къызэрыддэгуашэ тхыгъэри. Абыхэм къищынэмыщIауэ, журналым итщ блумыгъэкIыфу узэджэн тхыгъэ хьэлэмэтхэр. Литературэр фIыуэ зылъагъухэм «Псынэр» яхуэупсащ. Мы къыдэкIы- гъуэм щыщIэдзауэ журналым иIэнущ «Жылэ» зыфIаща гуэдзэн. Абы Хьэх Сэфарбий, Бещтокъуэ Хьэбас, Жамбэч Рабия, Хьэвжокъуэ Людмилэ, ЩIэжьокъуэ Зэфар, Щомахуэ Залинэ, Щэныбэ Маринэ, НафIэдз Мухьэмэд, Гугъуэт (НафIэдз) Заремэ, Бэрбэч Ас-лъэнджэрий, Къэзан (Гъыдэ) ФатIимэт сымэ я тхыгъэ къыхэщыпыкIахэр итщ. Журналым и редакторыр Хьэвжокъуэ Людмилэщ. «Жылэм» теухуауэ нэхъыбэ къатщIэмэ ди гуапэу, Людэ зыщыхуэдгъазэм, къыддэгуэшащ. — Мы журналыр яхуэгъэзащ ди лъэпкъым и гъащIэмрэ адыгэ хабзэмрэ зи псэм хэлъ дэтхэнэми. Дэ зыхуэдгъэувыж къалэнхэм ящыщщ лъэпкъ гупсысэм, бзэм, литературэм и зыужьыкIэм дыкIэлъыплъыныр. КъыдэкIыгъуэ къэс щIэджыкIакIуэм и пащхьэ итлъхьэну ди мурадщ усакIуэ, тхакIуэ нэхъыжьхэми, тхэн щIэзыдзагъащIэ ныбжьыщIэхэми, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми я IэдакъэщIэкIхэр. КъищынэмыщIауэ, ди журналым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм теддзэну ди мурадщ щэнхабзэм, литературэ щIэныгъэм, критикэм ехьэлIа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, зэпсэлъэныгъэхэр. «Жылэ» журналым теддзэнухэр адыгэбзэм и IэфIыр зыпкърылъ, адыгэм и тхыдэр къызыхэщыж, лъэпкъ гупсысэкIэ гъэпса тхыгъэхэрщ. Жылапхъэ ящIыркъым хьэдзэ псори. «Жылэ» журналыр тхэн щIэзыдзагъащIэхэм сэбэп яхуэхъуну къыдолъытэ, сыту жыпIэмэ адыгэбзэкIэ тхэ, литературэмкъыхыхьэ ныбжьыщIэхэм япэ лъэбакъуэ егъэчыныр ди журналым зыхуигъэувыж къалэнхэм языхэзщ. Абы къикIыркъым журналым къытехуэну тхыгъэхэр зи IэдакъэщIэкI усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ ныбжькIэ къыхэхауэ щытыну: «Жылэм» къытехуэнущ ди тхакIуэ нэхъыжьхэм я IэдакъэщIэкIхэри. Дэ къытхуэнэжыр «Гъуэгу махуэ!» яжетIэнращ «Жылэр» къыдэзыгъэкIыну жэрдэм зыщIахэми абы зи тхыгъэ тезыдзэхэми. Инэрокъуэ Данэ. Хъыбар ШыIэныгъэмрэ бэшэчагъымрэ я щапхъэ Мэкъуауэ пщыIэм къытехьэжа нэхъыжьыр лэгъупым пэрыт щIалэм егуоуащ тутын ирыщIигъэнэну мафIэ къыхуихьыну. ЩIалэр мафIэм пэрыплъэри, пхъэ дзакIэ хэмылъыжу дэп защIэт. Зы дэп къипхъуатэри, и Iэгухэм щызэпридзурэ, хуихьащ къэджам. Нэхъыжьым иIыгъ гуахъуэр щIым хисэри, щIалэм и нэхэм щIэплъэурэ абы и Iэгум егулIа дэпымкIэ тутыныр щIигъанэу щIидзащ. — Тхьэм уигъэпсэу, си щIалэ, шыIэныгъэ уиIэщ, иджы хуит ухъужащи, уи Iуэху пэрыхьэж! — къыщыжриIэм: — Уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу, нэхъыжьыфI, си лъэтхьэмпэм къыхэпIуа гуахъуэжьыр хэпчыжамэ, жыпIар згъэзэщIэнт, — жэуап етыж щIалэм. — Афэрым, тIу! ЛIы къыпхэкIынущи, Тхьэм ухущIигъэхьэ! Вакъэри лъэпэдри лъыхи, уIэгъэм тIэкIурэ лъы къигъэкI,уIэгъэр псом нэхърэ лъым нэхъ къегъэкъабзэ. Сызыхуэмеиххэ къысIэщIэщIати, абыкIи гу зылъызбгъэтакъым! Иджы фIарий тхьэмпэ Iуэти, телъхьэ лъэныкъуитIымкIи, — жиIэри нэхъыжьым пщIэшхуэ къыхуищIащ, бэлътоку къабзэ и жыпым кърихри, къритащ уIэгъэр ирипхэну. Зытхыжар Шэрджэс Алийщ. Гупсысэр – псалъэкIэ ПщIыхь псэгъапцIэ ФIыгъуэмрэ фыгъуэмрэ зэращIылIа зэдауэ, зэзауэ, зэрыукI гущIэгъуншэ IэубыдыпIэншэм я зэхуаку къыдэспхъуэтыкIа си гурыфIыгъуэм, си насып мылъытэм, си дуней гъащIэр щIэщыгъуэкIэ схуэзыгъэнщIым пхуэслъэгъуащ ныжэбэ пщIыхь. Нэщэнэм я нэхъ хъуэпсэгъуэр къызыхэтэджыкI, гур зыщIэхъуэпс, псэр зэщIэзыгъапсэ гурыфIыгъуэхэр къызыхэхъуэпсыкI пщIыхь дахащэ. Си лъэр щIым тримыубыдэжу, си гур си пкъым къысфIилъэтынкIэ сигъэшынэжу сегъэпсэу си нэгу щIэкIам. ЗыкIи къэмысэбэпыжу хыфIадзэжа хьэпшыпу зэгуэр искIутыжа, сабэмрэ нэпсымрэ езгъэтхьэлэжа гугъэ кIапэлъапэхэм я лъыхъуакIуэ щхьэхуимыту срегъэжьэж. Фо зэхуэхьэсыным нэхъуеиншэу бгъэдэт бжьэ зэрыбыным я лэжьэкIэм, я Iуэху зехьэкIэм сригъэ-хъуэпсэн мурад иIами ярейуэ, щхьэхуимыту къэзгъэщIа гъащIэм и къудамэ, удз гъэгъа куэдым си гугъэ-щыгъэхэр къыпызегъэхыж, псэм акъылыр и дэлэлу, дзыгъуэ гъуанэ дихьа къэзмы-гъанэу зэхузегъэхьэсыж. Упсэуну сыту фIыIуэ щIыжысIэн щхьэусыгъуэхэр мымащIэу си пащхьэм къизылъхьа пщIыхьым къыдэкIуэ къару лъэщым си блэкIамрэ си къэкIуэнумрэ, сакъы- пэурэ зэлъыIуегъэкIуэтри, зэуIу, зэкъуэт, зэрыIыгъ хъужа гугъэхэм къахищIыкIа гурыфIыгъуэшхуэр Iэдэбу я зэхуаку дегъэзагъэ — си нобэм дыгъэпс гуакIуэу кърекIых. АпщIондэху си гур къогуфIыкI, къогушхукI, къыспэплъэ гъащIэм и плъыфэ зэмыфэгъухэр напIэдэхьеигъуэм си нэгу къыщIегъэувэ. УвыIэгъуэ имыIэу хъуапсэ си псэр зэрынэхум, ар зыхуэпабгъэ, зыщIэбэг дахагъэ псори Iэрылъхьэ, нэрылъагъу зэрыхъунум къыпкърыкI гупсысэхэм зэшыпIэ срагъахуэркъым, тепыIи къызатыркъым. ТыншыгъуэкIэ къызэтэу, гурыфIыгъуэкIэ сызыгъафIэу си хъуреягъыр зыгъэщхъуэкIэплъыкIэ пщIыхьыр къыздэтIысу, къыздэтэджу, къыздэбакъуэу сегъэпсэу. Уафэ къащхъуэр уи нэгуу сегъэлъагъу, сызэрыбауэ хьэуам уи джэрпэджэж щызэхызегъэх. КъысхуэгумащIэрэ сыфIэпсэкIуэду зи бзий кхъуакIэхэр къысхуэзыгъэджэгу дыгъэр уи хуабагъэкIэ, гуапагъэкIэ къысхуоупсэ. А псор зыхэзыщIэ, зыгъэунэху си гур зэгъэжауэ къыспэплъэ гъащIэм сыхуегъэпабгъэ — уэ ущызгъуэт, ущызыхэсщIэ гъащIэм — пцIапцIэу, цIанлъэу, цIэнтхъуэрыгъуэу зэгуэр къысхущIэкIыжынкIэ хъуну гъащIэм — пщIыхь псэгъапцIэр щыскIэрымыкI гъащIэ лъащIэм. Жамбэч Рабия. Анэ псори анэкъым Мин бжыгъэ мэхъу зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэр. Зэгуэр фегупсысауэ пIэрэ фэ апхуэдэхэм я анэхэр къызэрыхахым? Си нэгу къыщIызогъэхьэ, дэтхэнэ зыри фIыуэ дызыцIыху Алыхьыр мыпIащIэу, гупсэхуу, куууэ псоми къызэрыдэплъыр. ФIыуэ егупсыса нэужь, абы и блыгущIэт мелыIычхэм унафэ яхуещI, псом нэхъыщхьэ ГъащIэ ТхылъкIэ зэджэм иратхэнур яжреIэ. Зыкъомым я гугъу ищIауэ, Алыхьым зы цIэ гуэр къреIуэ, погуфIыкIри: «Абы сабий ныкъуэдыкъуэ ет», — жи. МэлыIычым фIэгъэщIэгъуэн хъуауэ щIоупщIэ: «Сыт ар лейуэ къыщIыхэпхар? Ар зэрынасыпыфIэр умылъагъуура?» «Солъагъу, аращ щIестри! Насыпымрэ гуфIэгъуэмрэ зымыцIыхум сыхуиту пIэрэт сэ сабий ныкъуэдыкъуэ естыну? Ар гущIэгъуншагъэм я гущIэгъуншагъэжт»… «ИIэу пIэрэ а бзылъхугъэм зыхуеину шыIэныгъэр?» — щIоупщIэ мелыIычыр. «Егъэлеяуэ шыIэныгъэшхуэ хэлъыну сыхуейкъым сэ абы, арыншамэ, и щхьэ фIэгуэныхь, фIэтхьэмыщкIэ хъужурэ, абы текIуэдэжынущ. Ар япэ щIыкIэ щтэнущ, итIанэ игу къызэбгъэнущ, иужькIэ и бгыр щIикъузэнурэ пэлъэщынущ а къалэн мытыншым». «Уи ней къысщумыгъахуэ, ауэ абы Алыхьыр и фIэщ мыхъуу фэ тетщ!» Алыхьыр погуфIыкIри: «Умыгузавэ, дэ зэдгъэзэхуэжынщ ар! Хьэуэ, мы цIыхубзым фIы дыдэу хузехьэнущ а къалэныр! Абы и щхьэр зыкIэ фIыуэ елъагъужри…» МелыIычым зыри къыгурымыIуэу щIоупщIэ: «И щхьэр фIыуэ елъагъуж жыпIа? Ар фIым щыщ-тIэ?». Алыхьым и щхьэр арэзыуэ ещIри. «Ар зэи къыбгъэдэмыкIыу и сабийм бгъэдэсмэ, и гуауэм езыри ихьыжынущ. Аращ, сэ мы цIыхубзымкIэ сыарэзыщ. Езым иджыри къыгурымыIуэми, абы узэхъуэпсэн бгъэдэлъынущ. Ар сыт щыгъуи и сабийм тегужьеикIауэ щытынущ, абы жиIа псалъэ къыфIэмыIуэхуу зэи къэхъунукъым, ича лъэбакъуэ къэс щыгуфIыкIыу псэунущ. Абы «мамэ»-кIэ къыщеджа дакъикъэм гъуэбжэгъуэщ насып къыIэрыхьауэ, насыпыфIэм я насыпыфIэжу зыкъилъытэжынущ. Сабий узыншэ зиIэм ар къыгурыIуэнукъым… Сэ слъагъум щыщ куэдым, дунейм къыщекIуэкI фэрыщIагъэм, нэпсеягъэм нэгъуэщI куэдми я щыхьэт сщIынущ ар, итIанэ а псоми ящхьэщысIэтыкIынурэ лъагэу згъэтIысынущ. Абы зэи къищIэнукъым закъуэныгъэр зищIысыр, и гъащIэм щыщу зы дакъикъэ къэмынэу сэ сыщIыгъунущ абы, сэ къызбгъэдэту, уафэм щыпсэухэм хуэдэу згъэпсэу-нущ, си лэжьыгъэр апхуэдизу фIыщэу щIылъэм зэрыщигъэзащIэм папщIэ!» «Ар къэзыхъумэну дзыхь зыхуэпщIыну мелыIычыр хэт?» — мелыIычым жиIэнур имыух щIыкIэ зы къабзий закъуэ жьым зэрихьэу къонэри, езыр мэбзэхыж. Алыхьыр погуфIыкI: «Абы гъуджэ къудейри хурикъунущ»… Бомбек Эрмэ, американ журналист. Иордан актрисэ Сахьэ Бишар «Шэрджэс» художественнэ фильмым (режиссерыр Къандур Мухьэдинщ) роль нэхъыщхьэр щегъэзащIэ. Сурэтыр 2009 гъэм трахащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25111.txt" }
Къалэнхэр инщ, зыгъэзэщIэнухэри махэкъым Мазаем и 8 — 9 махуэхэм Налшык щызэхуэзащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр ирегъэкIуэкI. Сурэтыр ЕЛЪКЪАН Артур трихащ. Фигу къэдгъэкIыжынщ: Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Зэхуэсым къищтэ унафэхэр зыгъэзащIэ гупыр пIалъэ пыухыкIам тету зэIуощIэ, ялэжьамрэ къапэщытымрэ тепсэлъыхьын, ящIапхъэр ягъэбелджылын папщIэ. гъэзэщIакIуэ гупым хэтщ ДАХ-м къызэщIиубыдэ Адыгэ Хасэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр. Псори зэхэту ахэр мы зэм цIыху 31-рэ мэхъу. ЗэIущIэр къызэIузыхари езыгъэкIуэкIари ДАХ-м и президент Сэхъурокъуэ Хьэутийщ. Абы хьэщIэхэм яригъэцIыхуащ мы зэIущIэм ирихьэлIа къэрал къулыкъущIэхэр: КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм республикэ кIуэцI политикэмкIэ и департаментым и унафэщI Махуэ Валерэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жаным Руслан, Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министр Семэн Пщыкъан, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин. ЗэIущIэм кърагъэблэгъат ДАХ-м и Чэнджэщэгъу советым хэтхэу Ажахъуэ Къанщобий, Дзэмыхь Къасболэт сымэ, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Петр, нэгъуэщIхэри. Сэхъурокъуэм кIэщIу и гугъу ищIащ ДАХ-м и IX Зэхуэсым ищIа унафэхэр гъэзэщIа зэрыхъум. Къапщтэмэ, Мэздэгу щыпсэу адыгэхэм я деж ДАХ-м и лIыкIуэ гуп зэрыщыIам, къэбэрдей, кIахэ адыгэхэм я алыфбейр зы щIыным елэжьын гуп къызэрызэрагъэпэщам, Сирием щекIуэкI зауэм къыхашауэ ди республикэм къэзыгъэзэжхэм щхьэкIэ ящIэфым тепсэлъыхьащ. ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и комитетхэр къызэгъэпэщыным теухуауэ къэпсэлъащ Дунейпсо Адыхэ Хасэм и япэ вице-президент Къэжэр Артур. Абы жиIащ комитетхэр я бжыгъэкIэ 10 зэрыхъур. Къызэхуэсахэр комитет бжыгъэми ахэр зытелэжьэнуми арэзы техъуащ. Псалъэмакъ нэхъ зращIэкIар анэдэлъхубзэр хъумэным, зы адыгэ алыфбейм хуэкIуэным елэжьыну хуей комитетращ. ЗэIущIэм хэтхэр зэгурыIуащ, мы Iуэхур зэрыгугъум къыхэкIыу, зи унафэ ящIын хуейм щIэныгъэкIэ хуэхьэзыр цIыхухэр хагъэпсэлъыхьыну. ЕтIуанэу зи гугъу ящIар Сирием къикI, къраш адыгэхэм я Iуэхур зытетырщ. Абы теухуауэ къэпсэлъа Бэрсэдж Хьэрфан жиIащ Сирием мафIэр зэрыщызэщIэплъэр, цIыхухэр ерыскъыкIэ, хущхъуэкIэ, нэгъуэщI куэдхэмкIи гугъу зэрехьыр. «Адыгэу 50 хэкIуэдащ мы зауэм. Абыхэм ящыщу 3-щ дзэм хэтар, адрейхэм я гъащIэр ихьащ мамыру псэу цIыхухэм зыкIи щымысхь щIэпхъаджащIэхэм, жылагъуэхэм хадзэ бомбэхэм, нэгъуэщI Iэщэ лIэужьыгъуэхэм. Сирием щекIуэкIыр лъэпкъ зауэм хуэкIуэнкIэ шынагъуэщ. А къэралым щыпсэу адыгэхэр иджырей гузэвэгъуэм хуэдэ зэи хэхуакъым. Адыгэ къуажиблым дэсыр къыдэкIащ е къыдахуащ. Ахэр хэти Дамаск Iэпхъуащ, хэти ТыркумкIэ, ИорданиемкIэ яунэтIащ. Псалъэм папщIэ, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм цIыху минитI зрашэлIащ, зыщIэсынымрэ яшхынымкIэ ядоIэпыкъу. Иорданием — миниплI къыщыувыIащ. Амман щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэмрэ благъэхэмрэ я нэIэ къатетщ абыхэм. Хэкум 1000 къихьэжыфащ. КъБР-мрэ АР-мрэ къэкIуэжа адыгэхэм санаторэхэм пIалъэкIэ щIагъэтIысхьаи езыр-езырхэу пэлъэщу фэтэр къэзыщтаи яхэтщ. Къапщтэмэ, Мейкъуапэ, абы къегъэщIылIа жылэхэм унэ-лъапсэ щызыгъуэта, ахъшэкIэ зыдэIэпыкъуа щыIэщ», — жиIащ Хьэрфан икIи дыщIигъуащ хэхэс адыгэхэр Урысей Федерацэм и унафэщIхэм къазэрыщыгугъыр, зауэ лыгъейм къыхашыну, я Хэку ирагъэгъуэтыжыну. Хьэрфан жиIам Сэхъурокъуэ Хьэутий дыщIигъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и унафэкIэ Правительствэм дэлэжьэну штаб къызэрызэрагъэпэщар, Сирием къикI адыгэхэм я Iуэхур дэгъэкIыным теухуауэ. Къапщтэмэ, Налшык и 8-нэ курыт еджапIэм сабий 73-рэ йокIуалIэ. Абыхэм щхьэкIэ урысыбзэ, адыгэбзэ дерсхэр ирагъэкIуэкI, махуэм тIэу ягъашхэ. Сэхъурокъуэм жиIащ къэкIуэжа псоми тхылъ зэрыхуагъэхьэзырыр, зыщыщ лъэпкъыр (унагъуэкIэ), и IэщIагъэ-щIэныгъэр, нэгъуэщIхэри иту. Ар хуэщхьэпэнущ мыбдеж я Iыхьлы нэхъ псынщIэу къыщагъуэтыжыным, лэжьапIэ гуэр Iуагъэхьэфыным. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд кIэщIу тепсэлъыхьащ Урысей-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-м ирихьэлIэу ДАХ-м зэфIихыну Iуэхухэм. Ахэр куэд мэхъу, адыгэм я тхыдэм теухуа тхылъ къыдэгъэкIыным, документальнэ фильм гъэхьэзырыным къыщыщIэдзауэ ди лъэпкъ Iуэхум хухэха Международнэ щIэныгъэ конференц егъэкIуэкIыным щыщIэкIыжу. Зэхуэсым кърихьэлIахэр зэгурыIуащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд игъэбелджылам дэщIыгъужыпхъэхэу къалъытэр зы мазэм къриубыдэу зэфIагъэкIыжу, итIанэ абы иджыри зэ тепсэлъыхьыжыну. ХьэфIыцIэр тепсэлъыхьын хуейт Сочэ щекIуэкIыну Олимп джэгухэм а щIыпIэр зей адыгэ лъэпкъым и тхыдэр къызэрыхэщынум. Абы нэхъ зэдауэ къикIащ, 2010, 2011 гъэхэм УФ-м и Президентым, ФедерацэмкIэ Советым, Къэрал Думэм ятхагъэххэу, абыхэм къратыжа жэуап щыщыIэкIэ, мы Iуэхум къыщIытебгъэзэжын щымыIэу къалъытэу, ауэ икIэм-икIэжым, зэгурыIуащ иджыри зэ къэрал унафэщIхэм зыхуагъэзэну. 2013 — 2015 гъэхэм ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым зэфIигъэкIыпхъэу игъэбелджылахэр и лъабжьэу къащтэри, зэIущIэм хэтхэр зэгурыIуащ абы иджыри дыщIагъужыну. ДАХ-м и КъэпщытакIуэ гупым и унафэщI Къуэдзокъуэ Анатолэ зи гугъу ищIар Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтыпщIэу къыIэрыхьэн хуейм и Iуэхур зытетырщ. АбыкIэ щIыхуэ зытелъхэм хэтыпщIэр ямыгъэгувэну зэгурыIуахэщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым КъБР-м щыщу цIыхуи 8, Адыгейм — 4, КъШР-м — 4, Шапсыгъым — 2, Мэздэгум — 1, Тыркум — 5, Иорданием — 2, Сирием — 1, Израилым — 1, Абхъазым ейуэ 1 хэтщ. Мы бжыгъэхэр къыщIэтхьар иджыри зэ фи нэгу къыщIэдгъэувэн папщIэщ ди лъэпкъэгъухэр зэкъуэгъэувэным, зэдэлэжьэным теухуауэ ахэр къару зэрырикъур. НэгъуэщI къэралхэм къыщыхъум (адыгэр кърамышыну Iэмал имыIэу), лъэпкъ зэхэщIыкIыр къызэрыщIэрэщIэжым и нэщэнэ зыдэплъагъу ди лъэхъэнэм ДАХ-м и пашэхэм Iэмал къаритыну къыщIэкIынукъым хуэмыхуну, псалъэм зыдрагъэхьэхыну. Ширдий Маринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25123.txt" }
Iуащхьэмахуэ ахъшэ хуэщщ КъБР-м щыIэ инвестицэ щытыкIэр ефIакIуэ зэпытщ. 2012 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэуэ куэд къыщыхъуащ. Ауэ зызымыхъуэжыр зыщ — республикэм IэнатIэ нэхъыщхьэ псори япэкIэ игъэкIуатэу зеужь. Зыужьыныгъэр зэлъытауэ щытыну цIыхухэр Иужьрей зэманым щIыналъэм къыщыхъуа политикэ Iуэху нэхъыщхьэр КъБР-м и Правительствэр зэрыIуагъэкIарщ. Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен апхуэдэ унафэ къыщIищтам и щхьэусыгъуэу къигъэлъэгъуащ зэхъуэкIыныгъэхэр ирагъэкIуэкIын, хэхауэ къапщтэмэ, республикэм и Правительствэм и къызэгъэпэщыкIэр федеральнэ IэнатIэхэм я зэхэтыкIэм ирагъэзэгъыжын икIи лъэныкъуитIыр нэхъ тэмэму, сэбэпынагъи къыпэкIуэу зэдэлэжьэныр зэтрагъэувэн зэрыхуейр. — Правительствэм хэтхэр тхъуэжын хуей щIэхъур зи тхыдэм и напэкIуэцI къыкIэлъыкIуэр къызэIузых Къэбэрдей-Балъкъэрым къалэныщIэхэр и пащхьэ къызэриувэр аращ, — жиIащ Къанокъуэ Арсен. — Дэ ди социально-экономикэ зыужьыныгъэр икIэщIыпIэкIэ щIэдгъэхуэбжьэну къытпэщытщ. Абы къыхэкIыу экономикэр япэкIэ зыгъэкIуэтэфын инвесторхэр ди щIыналъэмкIэ нэхъ къаплъэ зэрыхъуам къыхэкIыу республикэм къыбгъэдэхуэ Iуэху инхэр тэмэму зэблэзыгъэкIыфын, апхуэдэу дунейпсо экономикэр зыхэхуа кризисым къыдэкIуэхэм зэрахуэфащэкIэ япэщIэтыфын IэщIагъэлIхэр димыIэу хъунукъым. Дэ гъуэгу тэмэмым дызэрытетым и щыхьэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щылэжьэну хущIэкъу инвесторхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр. Абыхэм Iуэху пыухыкIахэр къыхалъхьэ, республикэм и щIыналъэм проект щхьэхуэхэр щызэтрагъэувэну зэрыхущIэкъур жаIэ. Ар ди дежкIэ гурыфIыгъуэщ. ИкIи мис апхуэдэ Iуэхухэр кIыхьлIыхь мыхъуу зэблагъэкIыфын хуейщ гъэзэщIакIуэ властым и органхэм. Правительствэр нэхъ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэмкIэ къызэдгъэпэщын хуей хъуащ. Министрхэм я кабинетыщIэм хэтхэр нэхъ жыджэру Iуэхум бгъэдыхьэн, щыIэ гугъуехьхэр нэхъ тегушхуауэ къаIэтын икIи езыхэм я унафэщIхэм я деж щыпхагъэкIын хуейщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым зегъэужьынымкIэ япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэр къыщыгъэлъэгъуащ «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и стратегиеу» 2025 гъэм нэсыху, «КъБР-м зэрызиужьыну стратегиеу» 2030 гъэм нэсыху ятещIыхьахэм. Иджыпсту республикэм программэ хэха зэмылIэужьыгъуэу 48-рэ щагъэзащIэ. IэнатIэ нэхъыщхьэхэм, япэ ирагъэщхэм ящыщщ турист кластерым, мэкъумэш продукцэм ерыскъыпхъэ къыхэщIыкIыныр зи лъабжьэ агропромышленнэ комплексым зегъэужьыныр, псэупIэ унэхэр щIэгъэхуэбжьауэ ухуэныр. Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмкIэ и IэнатIэр иджырей экономикэм и дэтхэнэ IэнатIэми хуэдэу, щIэгъэхуэбжьауэ япэкIэ мэкIуатэ. Абы игъэIуфынущ ди щIыналъэр цIыхухэм загъэпсэхуным, я узыншагъэр зэтрагъэувэжыным, ягъэбыдэным сыт и лъэныкъуэкIи къызэрезэгъыр. «Сочи-2012» ХI дунейпсо инвестицэ зэхыхьэшхуэм КъБР-мрэ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгухьэныгъэмрэ Iэ щыщIадзащ иджырей курорт мыгувэу къыщызэрагъэпэщыну турист-рекреацэ экономикэ щIыналъэ щхьэхуитым зегъэужьыным теухуа зэгурыIуэныгъэм. А щIыкIэм тету, дэ аргуэру мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэбакъуэ тчащ Урысей Ипщэм рекреацэ кластер къыщызэгъэпэщынымкIэ федеральнэ программэр гъэзэщIэным хуэунэтIауэ. Турист экономикэ щIыналъэ хэхар Iыхьищу гуэшащ. Абы хохьэ Шэрэдж, Шэджэм районхэм я щIыналъэхэм хиубыдэ «Безенги» комплексыр, Дзэлыкъуэ районым хиубыдэ «Джилы-Су» къурш-рекреацэ комплексыр, Iуащхьэмахуэ районым хиубыдэ «Iуащхьэмахуэ лъапэ» къурш-рекреацэ комплексыр. «Iуащхьэмахуэ лъапэ» къурш-рекреацэ комплексым зыщиужьыну щIыналъэхэри плIыуэ гуэшащ. Ахэр «Iуащхьэмахуэ», «Чиперазау», «Чегет», «Юсеньги» щIыналъэхэрщ. — Зэман гъунэгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрызиужьыну стратегием и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу, шэч хэмылъу, щытынущ турист IэнатIэр, — къыхигъэщхьэхукIащ Къанокъуэ Арсен. — Сэ шэч къытесхьэркъым «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» къэрал корпорацэм дэщIыгъуу республикэм и бгылъэ щIыпIэхэм дунейпсо мардэхэм къезэгъ курорт зэрыщыдухуэфынум. Мэкъумэш IэнатIэм и гугъу пщIымэ, къэгъэлъэгъуапхъэщ 2015 гъэм и кIэухым нэсыху Къэбэрдей-Балъкъэрым и хозяйствэ псоми мэкъумэшхэкIыу сом мелард 35,4-м нэблагъэ и уасэ къызэралэжьынур (зекIуэ уасэхэм ятещIыхьауэ къапщтэмэ, ар 2012 гъэм и кIэухым елъытауэ процент 12-кIэ нэхъыбэщ). ПсэупIэхэр щIыным утепсэлъыхьмэ, къэгъэлъэгъуапхъэщ 2015 гъэм и кIэухым ирихьэлIэу ухуэныгъэ лэжьыгъэу сом меларди 8-м щIигъу и уасэ зэфIагъэкIыну зэрамурадыр. Апхуэдэу щыщыткIэ, илъэсым къриубыдэу псэупIэу хьэзыр ящIыр метр зэбгъузэнатIэ мин 450-м нэблэгъэнущ. Республикэм исхэр ику иту псэупIэкIэ къызэрызэрагъэпэщар проценти 10-кIэ нэхъыбэ хъунущ. Республикэм зегъэужьынымкIэ стратегие мыхьэнэ зиIэ IэнатIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ ухуэныгъэм ирахьэлIэ материалхэр иджырей технологиехэр къагъэсэбэпурэ гъэхьэзырыныр, электрокъару къэлэжьыныр. Республикэм и экономикэм зэрызиужьыр псом нэхърэ нэхъ наIуэу къэзыгъэлъагъуэ валовэ щIыналъэ продуктым 2011 гъэм елъытауэ 2015 гъэм и кIэухым ирихьэлIэу процент 18-м щIигъукIэ хэхъуэн икIи сом меларди 124-рэ и уасэм нэсын хуейщ. Капитал нэхъыщхьэм къыхалъхьэ инвестицэхэр сом мелард 22-м нэблэгъэнущ. Экономикэм и IэнатIэхэм щылажьэхэм я бжыгъэр цIыху мини 8-кIэ нэхъыбэ хъунущ, лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр проценти 7,7-м нэсу ехынущ. «Севкаврентген»-р къощIэрэщIэж IэщIагъэлI куэдым зэакъылэгъуу жаIэ: Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зэрызиужьыну стратегиер гъэзэщIэнымкIэ лъэхъэнэщIэм щIидзащ 2012 гъэм и гъэмахуэм. А пIалъэр къыщIащтар Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и япэ предприятэм кредит къищтэнымкIэ къэралыр шэсыпIэу зэрыувам ехьэлIащ. Апхуэдэ зэфIэкI зыгъуэтар Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ «Севкаврентген-Д» предприятэрщ, иджырей медицинэ техникэр къыщIэгъэкIыным елэжьырщ. Мы инвестицэ проектым и уасэр псори зэхэту сом мелуан 750-рэ хуэдиз, къэралыр шэсыпIэу зэрыува ахъшэр сом мелуан 367-рэ мэхъу. ЩIыхуэр зытрагъэкIуэдэнур бжыгъэхэр зи лъабжьэ медицинэ Iэмэпсымэу дунейпсо мардэхэм къитIасэхэр къыщIэзыгъэкIыну, иджырей технологие пэрытыр зыубгъуауэ къыщагъэсэбэп IэнатIэ къызэIухынырщ, апхуэдэу хьэзыр хъуа продукцэр щэныр зэтегъэувэнырщ. Предприятэр къагъэщIэрэщIэжа нэужь, абы и цеххэмрэ къегъэщIылIа адрей IэнатIэхэмрэ щылажьэхэм я бжыгъэр цIыху 400-кIэ нэхъыбэ хъунущ. 2011 гъэм и закъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и агрокомплексым щагъэзащIэу щытащ псори зэхэту сом меларди 4,5-рэ зи уасэ инвестицэ проекту 19. Япэхэми хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щылэжьэну хущIокъу зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ инвесторхэр икIи ар наIуэу къигъэлъэгъуащ «Сочи-2012» зэхыхьэшхуэм. Республикэм абы проект нэхъыщхьэу тIу утыку къыщрихьащ. Зыр зытеухуар Тырныауз вольфрам-молибден комбинатыр зэтегъэувэжынырщ. 2013 — 2017 гъэхэм ягъэзэщIэну зыщыгугъ а проектым сом мелард 12 текIуэдэнущ. Комбинатыр зэтрагъэувэжмэ, абы лэжьапIэ IэнатIэу миным нэблагъэ иIэнущ. ЕтIуанэ проектыр нэхъ иныжщ. Ар зытеухуар «PLANA» агроиндустриальнэ парк» экономикэ щIыналъэ хэха къызэгъэпэщыныр. Абы фейдэшхуэ пылъу лажьэ IэнатIэ 18 щыIэнущ зы кластерым хиубыдэу. Абы щызэдэлэжьэнущ машинэ зыщIхэр, химием и продукцэ къыщIэзыгъэкIхэр, пхъэм елэжьхэр, ерыскъыпхъэхэр зыгъэхьэзырхэр. Псори зэхэту проектым сом мелард 60-м щIигъу и уасэ текIуэдэнущ. Ауэ абы и фIыщIэкIэ иджырей IэнатIэ лъэщ зэтеувэнущ, лэжьакIуэ мин 11-м нэблагъэ пэрыту, апхуэдэу бюджетми налог хэхъуэу гъэ къэс сом мелард 11,4-рэ къыIэрыхьэнущ. ЩIыналъэм къыIэрыхьэ инвестицэхэм хэгъэхъуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ хэкIыпIэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къелъытэ банк нэхъ инхэм зэпымыууэ ядэлэжьэныр. Зэрыщыту къапщтэмэ, банкхэм я ахъшэу щIыналъэм и экономикэм халъхьэр гъэ къэс нэхъыбэ мэхъу. Псалъэм папщIэ, 2011 гъэм щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм банкхэм ирата щIыхуэр 2010 гъэм елъытауэ хуэди 2,3-кIэ нэхъыбэщ. Хьэрычэт IэнатIэ мыиным и гъуэгур зэIухащ Республикэм гулъытэ хэха щыхуащI хьэрычэт лэжьыгъэ мыинымрэ курытымрэ зегъэужьыным. — Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэтеуващ хьэрычэт IэнатIэ мыиным зыщIэгъэкъуэнымкIэ къэрал псом щынэхъыфI дыдэхэм ящыщ Iэмалхэр. Хьэрычэт IэнатIэ мыиным зегъэужьыныр шэсыпIэщ экономикэм и адрей IэнатIэ псори тэмэму лэжьэнымкIэ, — жеIэ Къанокъуэ Арсен. КъБР-м предприятэ цIыкIуу (цIыкIу дыдэхэри яхэту), курыту (юридическэ IэнатIэу) 4280-рэ, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэу мин 27,1-рэ щолажьэ. КъызэрабжамкIэ, а IэнатIэм цIыху мин 95-рэ хуэдиз епхащ. Хьэрычэт лэжьыгъэ мыиным зэрыдэIэпыкъу системэ зызыужьа зэтеуващ икIи республикэм дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт бизнесым хыхьа къудейхэми, нэхъ япэкIэ щIадзауэ лажьэхэми. А системэм хеубыдэ финанс лъэныкъуэри, бизнесым мылъкукIэ зыщIэгъэкъуэнри, лэжьакIуэхэр егъэджэнри. ХьэрычэтыщIэхэм хуапшыныж оборудованэ къэщэхуным трагъэкIуэдам, банкхэм къыIаха кредитхэмрэ лизингымкIэ зэгурыIуэныгъэхэмрэ проценткIэ щхьэщатыкIхэм ящыщ Iыхьэр, фIагъым и дунейпсо мардэхэм тету продукцэр сертификацэ щIыным, гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтыным трагъэкIуадэхэр. Хьэрычэт IэнатIэхэм электросетхэм зэрыпадзэм щIат уасэр ягъэмэщIащ. Банкхэм кредитхэр къыIахын папщIэ яхурикъун сакъылэт зимыIэ бизнесменхэм я цIэкIэ КъБР-м и ШэсыпIэ фондыр къоув къащтэ щIыхуэр зэрапшыныжынумкIэ шэсыпIэу. Хьэрычэт IэнатIэм и лэжьакIуэ ныбжьыщIэхэм зыщIагъакъуэ. Зи ныбжьыр илъэс 30-м щIимыгъуахэм езыхэм зэхалъхьа бизнес-мурадхэр ягъэзэщIэн папщIэ грант къыIахыфынущ зыхуэфащэ конкурсым кърикIуэхэм япкъ иткIэ. Хьэрычэт IэнатIэм ахъшэкIэ зыщIэгъэкъуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхуу уващ бизнес мыиным и субъектхэм куэд дыдэ мыхъу щIыхуэхэр зэрырат инфраструктурэр къызэрызэрагъэпэщар. Республикэм абы и лъэныкъуэкIэ зэщIыгъуу зыщаужь муниципальнэ фондхэмрэ кредит кооперативхэмрэ. Инновацэ унэтIыныгъэ зиIэ предприятэ мыинхэмрэ курытхэмрэ хьэрычэт лэжьыгъэр зэтрагъэувэн, къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкIын, проектхэр зэхалъхьэн, иджырей технологиехэмрэ оборудованэмрэ къащэхун, зэрылэжьэну программэхэр зэтрагъэувэн папщIэ грантхэр хухах. Конкурсхэм япкъ иткIэ, щIыналъэ бюджетхэм хухах хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ зегъэужьынымкIэ муниципальнэ программэхэр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэну субсидиехэр. Хьэрычэт IэнатIэм пэрыувагъащIэхэм мылъкукIэ защIэгъэкъуэным хиубыдэу, республикэм зыщрагъэужь бизнес-инкубаторхэм, абыхэм муниципальнэ бизнес-инкубаторхэри яхэту. Бжыгъэм къегъэлъагъуэ 2015 гъэм и кIэухым ирихьэлIэу КъБР-м и щIыналъэ валовэ продуктыр сом меларди 124-м нэсынущ. ИлъэсиплIым къриубыдэу ар процент 18-м щIигъукIэ нэхъыбэ хъунущ. «Российская газета» («ЩIыналъэ. Кавказ Ищхъэрэ» къыдэкIыгъуэ хэха), №9, (5984) 2013 гъэм щIышылэм и 18-м.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25127.txt" }
Нобэ 1929 гъэм Налшык щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ курорт хъуащ. 1943 гъэм советыдзэхэм хуит къащIыжащ фашистхэм яIыгъа Краснодар, Шахты къалэхэр. 1957 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыяпэ дыдэу Налшык телевиденэм лэжьэн щIидзащ. 1961 гъэм дунейм щыяпэу СССР-м «Венера-1» станцыр иутIыпщащ. 1979 гъэм Женевэ (Швейцарие) лэжьэн щыщIидзащ климатым щытепсэлъыхьа япэ дунейпсо конференцым. 2002 гъэм щыщIэдзауэ дунейм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм илъэс къэс ирагъэкIуэкI сабийхэр зауэ зэпэщIэтыныгъэхэм хэшэным пэщIэтыным хуэунэтIа зэхуэсхэр. Мазаем и 12 — 22-хэм Венэ (Австрие) щызэхэтынущ ООН-м Хьэршыр мамыр мурадхэм къыхуэгъэсэбэпынымкIэ и комитетым и 50-нэ сессиер. КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, усакIуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ илъэс 69-рэ ирокъу. КъБР-м и цIыхубэ артист, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Мэремыкъуэ Хъусен и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 — 4, жэщым 2 — 4 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25130.txt" }
Псэр зэщIэзыIэтэ, гупсысэр зышэщI КъытщIэхъуэ щIэблэм я псэм лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр хэлъу къэгъэтэджыныр егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыт дэтхэнэм и дежкIи къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Ар зэгъэхъулIэным хуэлажьэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ ныбжьыщIэхэр зэреджэ программэм и лейуэ къызэрагъэпэщ сабий студиехэр, академиехэр, мастерскойхэр, центрхэр. Къардэн Ларисэрэ и гъэсэнхэмрэ щыгъын гъэлъэгъуэныгъэм хэту. НыбжьыщIэхэм я творчествэм зыщрагъэужь «Силуэт» сабий студие-мастерскойр илъэси 8-м щIигъуауэ щолажьэ Аруан къуажэм дэт курыт школым. Ар къызэрызэIутхам Iэмал къыдитащ программэм ипкъ иткIэ яджыпхъэ «Технологие» предметыр нэхъ куууэ икIи нэхъ хьэлэмэту школакIуэ цIыкIухэм ябгъэдэтлъхьэну. Мастерскойм щызэфIэтх лэжьыгъэ псори зыхуэунэтIар сабийхэм я псэм художественнэ гупсысэкIэ къыщыгъэушынырщ, цIыкIухэм ябгъэдэлъ творческэ зэфIэкIым адэкIи зегъэужьынырщ. Апхуэдэу студием къекIуалIэ ныбжьыщIэхэм зыхуедгъаджэ Iуэхугъуэхэр иужькIэ гъащIэм къызэрыщагъэсэбэпыным дыхущIокъу, IэпщIэлъапщIагъэр, дэн-бзэныр IэщIагъэ зыхуэхъу къащыхэкIи щыIэщ. Сабийхэм унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ дадолажьэ. Гулъытэ нэхъыбэ зыхуэтщIыр дэн-бзэнырщ. Щыгъын зэмылIэужьыгъуэхэр щащIкIэ, дуней псом къыщагъэсэбэп технологие пэрытхэр ди Iэдэжу, ди гъэсэнхэм ядогъащIэ лъэпкъ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ хиубыдэ Iуэхугъуэхэр: лъэпкъ дамыгъэхэмрэ абыхэм я хэдыкIыкIэхэмрэ, адыгэ фащэр зэрызэхэлъымрэ ахэр иджырей щыгъынхэм зэрыхуэгъэкIуапхъэмрэ. Егъэджэныгъэм щIэдзапIэ хуэхъур нэхъ къызэрыгуэкI Iуэхугъуэхэрщ. Япэ щIыкIэ доплъ хъыджэбз цIыкIухэм ябгъэдэлъ IэпщIэлъапщIагъэр здынэсым, иужькIэ дэтхэнэми щхьэхуэ-щхьэхуэу дадолажьэ, къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр пщэрылъ яхуэтщIурэ. Апхуэдэу хъыджэбз цIыкIухэр щытщ зэми дизайнеру е конструктору, къыкIэлъыкIуэу дакIуэ-бзакIуэу е щыгъыныр зыгъэлъагъуэу, иужькIэ стилисту е визажисту. Я нэгу къыщIагъэхьэхэр гъащIэм щалъагъужыну Iэмал яIэщ ди гъэсэнхэм. Ахэр хуитщ езыхэм я проектым елэжьыну е гупым къызэдащта щыгъыныгъуэ гуэр гъэхьэзырыным я къару ирахьэлIэну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ абыхэм яда щыгъын дахэ куэд щызыдохьэ ди мастерскойм. Абыхэм я гъэлъэгъуэныгъэ ди школми щIыпIэми щIэх-щIэхыурэ къыщызыдогъэпэщ. «Зи Iэпэм дыщэ къыпыщ» ди хъыджэбз гъэсэнхэр хэтщ технологиемкIэ куейпсо, республикэпсо, щIыналъэпсо олимпиадэхэм, нэгъуэщI зэпеуэхэм. Абыхэм увыпIэфIхэр къыщахь ди пщащэхэм, я IэрыкIхэм щIэупщIэшхуи яIэщ. Апхуэдэу ди гъэсэнхэм ящыщ Къардэн Каринэ хэтащ дизайнер ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэу Налшык 2009 гъэм щекIуэкIам. А зэхыхьэм и утыкум Каринэ кърихьащ «Гъэмахуэ телъыджэ» зыфIища фэилъхьэгъуэ гуп. КъэпщытакIуэхэм ягу ирихьащ Каринэ ида щыгъынхэр икIи зэпеуэм и лауреат зэрыхъуам нэмыщI, абы и саугъэт хэхари хуагъэфэщащ. 2010 гъэм къалащхьэм къы- щызэрагъэпэщауэ щыта «Иджырей бгырыс пщащэр» зэпеуэм хэтащ ди гъэсэн ХьэцIыкIу Хьэлимэт. Абыи къратащ зэхьэзэхуэм и ЩIыхь тхылъыр. Нэгъабэрей апхуэдэ зэпеуэм Къардэн Миланэ щигъэлъэгъуащ щыгъэ зэмыфэгъухэмкIэ тхыпхъэщIыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зытрилъхьа бостей зыбжанэ. Миланэ и хэдыкIхэм куэд дахьэхащ. Абы къыхэкIыу ар зэхыхьэм и лауреат хъуащ, ЩIыхь тхылъи къратащ. ЕхъулIэныгъэ лъагэу къыдолъытэ илъэс блэкIам и кIэухым Осетие Ищхъэрэм и Ардон къалэм къыщытхьар. Къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ уардэунэм щекIуэкIащ Осетие Ищхъэрэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я дизайнер ныбжьыщIэхэм я «Колибри» фестиваль ин. УнэтIыныгъэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ екIуэкIа а зэхыхьэм щыгъыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэу 20-м щIигъу щагъэлъэгъуащ. «Киномрэ модэмрэ» унэтIыныгъэм и зэфIэкIхэр щигъэлъэгъуащ ди гъэсэн, 10-нэ классым и еджакIуэ Зэкъей Каринэ. Абы зэпеуэм хуигъэхьэзырат «Псэр зэщIэзыIэтэ», «ФIыцIэ-хужь классикэ» зыфIища щыгъыныгъуэ гупхэр. Дизайнер хъуну хуей ныбжьыщIэм зэрыжиIэмкIэ, классикэ щапхъэм тет щыгъынхэр абы игъэхьэзыращ Шанель Коко теухуа фильм хьэлэмэтым еплъа нэужь. Каринэ игъэлъэгъуа фэилъхьэгъуэхэм яхэлът махуэшхуэ зэхыхьэхэм, гуфIэгъуэ пшыхьхэм хуэкIуэхэри, зи щIалэгъуэхэм махуэ къэс щатIэгъэну къекIу бостейхэри. Ахэр псори зэмылIэужьыгъуэ защIэт, ауэ дэтхэнэри дахэт, екIут, удэзыхьэхт. КъэпщытакIуэхэм хуабжьу ягу ирихьащ Каринэ и Iэпэм къыпыкIа «Псэр зэщIэзыIэтэ» бостейхэри. Утыку кърихьа щыгъын зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ пщащэм а унэтIыныгъэм япэ увыпIэр къыщихьащ, ЩIыхь тхылъым щIыгъуу саугъэт лъапIи къратащ. КъызэрытлъытэмкIэ, ди студием щекIуэкI лэжьыгъэр хуабжьу сэбэп мэхъу ныбжьыщIэхэм гъащIэм къыщыхахыну IэщIагъэр нэхъапэIуэкIэ убзыхуа хъунымкIэ. Ди гъэсэнхэм ящыщ зыбжанэ школ нэужьым щIэтIысхьащ Налшык дэт дизайнымкIэ колледжымрэ промышленность псынщIэм и лэжьакIуэхэр IэщIагъэм щыхуагъасэ еджапIэмрэ. Дэ къызыдогъэпэщ щэнхабзэ зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэри. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэр ешэлIа мэхъу гъуазджэм, макъамэм, къафэм я дунейм. Студием и Iуэхур зэрефIэкIуэным гулъытэ хэха хуещI ди курыт школым и унафэщI Шорэн Фусэ. Абы къыддеIыгъ ди жэрдэмыщIэхэр, лэжьыгъэм къыщыдгъэсэбэп хьэпшыпхэр зэдгъэгъуэтынымкIэ, технологиемкIэ дерсхэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщынымкIэ лъэкI къигъанэркъым. ЗэрытщIэщи, дахагъэм сабиипсэр еузэщI. Абы и фIыгъэкIэ, ныбжьыщIэхэм я зэхэщIыкIыр нэхъ куу мэхъу, я гупсысэми зешэщI. Апхуэдэу щыщыткIэ, балигъхэр дыхуэсакъын хуейщ къытщIэхъуэ щIэблэм зегъэужьыным, я зэфIэкIхэм хэгъэхъуэным, лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я фIыгъуэхэм ешэлIэным. КЪАРДЭН Ларисэ, Аруан къуажэм дэт курыт школым технологиемкIэ и егъэджакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25134.txt" }
КъБР-м и хьэщIэхэр
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25139.txt" }
АдыгэлI щыпкъэ Урысей псом щыцIэрыIуэ, хамэ къэралхэм къыщацIыху адыгэлI щыпкъэ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, щIэныгъэлI, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и депутату, Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Президенту, иужькIэ и вице-президенту щыта Акъбащ Борис 1932 гъэм мазаем и 14-м Хьэбэз районым хыхьэ ПсэукIэ-Дахэ къуажэм къыщалъхуащ. Черкесск къалэм дэт лъэпкъ интернат-еджапIэр япэ дыдэ дыщэ медалкIэ къэзыухар аращ. Акъбащ Борис Азово-Черноморскэ институтыр къиуха нэужь, Борис лэжьапIэ зэхуэмыдэхэр зэрихъуэкIащ. 1954 — 1974 гъэхэм Хьэбэз районым инженер нэхъыщхьэу, техникэм щыкIэлъыплъ станцым, совхозым я унафэщIу, Хьэбэз райисполкомым и тхьэмадэу, Адыгэ-Хьэблэ райкомым и япэ секретару, Къэрэшей-Шэрджэс облисполкомым и тхьэмадэм и къуэдзэу лэжьащ. Акъбащым и нэIэ щIэту ящIащ КъШР-м и къалащхьэм дэт сымаджэщхэр, еджапIэхэр, къалэм дэт унэ зэтетхэр. Абыхэм ящыщщ Черкесск къалэ мотодромри, «Россия» кинотеатрри, тхылъ тедзапIэри, ЩэнхабзэмкIэ унэхэри, «Черкесск» хьэщIэщри, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым иIэ теплъэ дахэри, нэгъуэщIхэри. 1974 гъэм, Ставрополь политехническэ институтым и къудамэу Черкесск дэтым илъэситIкIэ унафэщIу щыIауэ, Москва япэу къыщызэрагъэпэща, СССР-м МэкъумэшымкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ еджапIэ нэхъыщхьэм и ректору ягъэув. ИужькIэ, ар Промышленнэ Академие ящIыжри, пенсэм кIуэху Акъбащыр абы и ректору мэлажьэ. А илъэсхэм IупщI дыдэ хъуащ Акъбащ Борис зэфIэкIышхуэ зэриIэр — щIэныгъэм зиужьыным папщIэ ар и къаруи и гуащIи зы махуэ щысхьакъым. Ар сыт щыгъуи щапхъэ хъурт и жыджэрагъкIэ, зыбгъэдэт IэнатIэм хуиIэ щытыкIэмкIэ, и цIыхугъэмрэ гуп хэтыкIэмкIэ. Акъбащыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президенту щыщытам, ДАХ-м и тхьэмадэр еджагъэшхуэ, зи цIэр фIыкIэ жыжьэ Iуа Къалмыкъ Юрэт. Мыпхуэдэ цIыху лъэщхэр, гумызагъэхэр зи пашэ зэгухьэныгъэм зыхуигъэувыж сыт хуэдэ мурадхэри зригъэхъулIэфыну лъэкIыныгъэ иIэт. Я гугъапIэр инт — адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэм зегъэужьыныр, хъумэныр, лъэпкъым и тхыдэ пэжыр зэфIэгъэувэжыныр. КIуэкIуэ Валерий йопсалъэ. Иорданием и пащтыхь Абдалларэ Акъбащ Борисрэ я зэIущIэ. ИужькIэ Къалмыкъ Юрэ и къулыкъур дзыхь зыхуищIар Акъбащырщ. А лъэхъэнэм ДАХ-м нэхъри зеужь, щIэныгъэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэр нэхъ щIегъэхуабжьэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэр мылъкукIэ нэхъ хуэщIа мэхъу. БзищкIэ — урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, тыркубзэкIэ — дунейм къытохьэ «Черкесский мир» журналыр, ДАХ-м и IV Конгрессым деж къыщоIу Акъбащым и жэрдэмкIэ уэрэдус цIэрыIуэ Даур Аслъэн зэхилъхьа Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гимныр. Борис и фIыгъэкIэ дунейм къытохьэ «Адыгэ хабзэ», «Пэжым и гъуэгу гугъухэр» тхылъ гъуэзэджэхэр. Абы и фIыгъэ хэлъщ Иорданым и пащтыхьыкъуэ Алий бен Хъусен зи пашэ шууей гупыр адыгэ щIыналъэхэм къызэрыкIуам… Акъбащ Борис «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр тIэунейрэ къратащ, «За трудовое отличие», «За освоение целинных земель», «За доблестный труд» медалхэмрэ РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъхэмрэ къыхуагъэфэщащ. Акъбащ Борис 2002 гъэм дунейм ехыжащ, и ныбжьыр илъэс 71-м иту. Шыпш Даянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25141.txt" }
ХабзэфIу щытащ 1980 — 1990 гъэхэм хабзэ дахэу къекIуэкIыу щытащ фабрикэхэм, заводхэм къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэр къыщызэрагъэпэщу. Шэч хэмылъу, абы гуащIэрылажьэхэм я гукъыдэжыр къиIэтырт, гъащIэр щIэщыгъуэ ящищIырт, зыпэрыт Iуэхури ящигъэпсынщIэрт. Апхуэдэ гупхэм ящыщ зыщ мы сурэтым щыфлъагъур — Бахъсэн къалэм дэта трикотаж фабрикэм 1980 гъэхэм иIа уэрэджыIакIуэхэрщ. ЩIалэхэр (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): бэрэбэнауэ Джэдмышх МуIэед, гупым и художественнэ унафэщI Щхьэгъум Борис, ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Жэртул Мухьэмэд (дунейм ехыжащ, Ахърэт нэху Тхьэм кърит) сымэщ. Хъыджэбзхэм я цIэ-унэцIэхэр зэхэгъэкIауэ зэрыдмыщIэм къыхэкIыу, тхуэгъэнэIуэнукъым. Ауэ, шэч хэмылъу, езыхэм зыкъацIыхужынщ, я зэманыгъуэр ягу къагъэкIыжынщ. Бахъсэн къалэм щылэжьа гуп дыгъэлым хэта дэтхэнэми и насып Iыхьэ гъащIэм щиIауэ, ехъулIэныгъэфI зиIэ бынхэр игъэсауэ, абыхэм я хэхъуэм иригуфIэу къэгъуэгурыкIуауэ къыщIэкIыну ди гуапэщ. БЛИЙ Даянэ. Сурэтыр 1982 гъэм трахащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25146.txt" }
Хэку зауэшхуэм и гъуджэ унагъуэ Си хъыбарыр зытеухуа Джэдгъэф Жамырзэ МатIу и къуэр Бахъсэн куейм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм лэжьыгъэр фIыуэ щалъагъу мэкъумэшыщIэ унагъуэм 1875 гъэм къыщалъхуащ. И адэм и гъусэу лэжьэн щIэзыдза щIалэщIэм пасэу куэдым хищIыкI хъуащ. 1909 гъэм къуажэ молэ, Хьэтэжьыкъуэпщхэм я чэнджэщэгъу Шэфий Мысхьуд-ефэндым ипхъу Фанисэ щхьэгъусэу къишащ. Унэ ухуэныр иухыу щхьэхуэу тIысыжагъащIэу Жамырзэ и къуэ пажэр къыхуалъхуащ. 1922 гъэм ирихьэлIэу абы бынибл иIэ хъуащ. 1930 гъэм Жамырзэ и унагъуэр и гъусэу колхозым хыхьащ. 1941 гъэм ахэр хуэкъулейуэ псэу хъуати, къафIэмыIуэхущэу мэкъумэшыщIэ жылагъуэ дэIэпыкъуныгъэм нартыху тонн 18, мэлипщI, нэгъуэщI-къинэмыщIхэмкIи хьэлэлу дэгуэшащ. Жамырзэ (1875 - 1943) ЖыпIэнуракъэ, Жамырзэ и унагъуэр нэрылъагъуу ефIакIуэрт, хэхъуэ яIэт, я жьэгум гуфIэгъуэр дэкIыртэкъым. Хъыджэбзхэр зэкIэлъхьэпыту унагъуэ хъарзынэхэм яшащ, я къуэ нэхъыжьым къишащ, адрейхэми ар я мураду, Хэку зауэшхуэр къэхъейри, зыпэмыплъа куэд къахуихьащ. Хэкупсэу къэтэджа щIалитхури зауэм дэкIащ, унагъуэ ихьа хъыджэбзхэр я адэ-анэхэм япэжыжьэт. ЛIыжь-фызыжьымрэ нысащIэ цIыкIумрэ унэ нэщIым я закъуэу къыщIэнат. ЗэщхьэгъуситIым ягъэса быниблым гъащIэ гъуазэу яIэр я адэм и псалъэ Iущхэрт: «Уи дин, уи напэ къызэрезэгъыу, уи пщIэнтIэпскIэ къэблэжьар пшхыжу упсэунырщ нэхъыщхьэр». Бынхэм я нэхъыжь КIунэ зэIусэм псэ хэзылъхьэ хъыджэбз IэпсынщIэ- лъэпсынщIэт. Ар дэIэпыкъуэгъушхуэ хуэхъуащ и анэм. Сыт хуэдэ унагъуэ къалэнри къыфIэмыIуэхуу зэфIихырти ежьэжырт, и дэлъхухэм я щыгъынхэм кIэлъыплъри арат. Дауи, апхуэдэ хъыджэбз зэкIужыр куэдрэ дагъэсакъым. Илъэс 19-м иту Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Къармэхьэблэ къуажэ щыщ Думэн Нуну къылъыхъуати, иратащ. ПIэщхьагъ тынш игъуэтами, я унагъуэ насыпыр кIыхь хъуну иухатэкъым. Политикэ зэхьэзехуэм и хьэжкурийм хэхуа унагъуэм 1937 гъэм илъэсих ныбжьым нэмысауэ сабииплI яIэ пэтми, мылъкуу яIэр, унэр гущIэгъуншэу къытрахри, езыхэр уэрамым къыданащ. А псом ищIыIужкIэ, КIунэ и тхьэмадэмрэ и щхьэгъусэмрэ дашри, яукIауэ щытащ. Бэлыхьищэр телъу цIыхубз тхьэмыщкIэм ипIащ и быниплIыр. 1943 гъэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым ирахужа нэужь, къыщалъхуа щIапIэжьым, и адэ-анэм я деж, къигъэзэжащ. И сабийхэр тIэкIу къэжэпхъа нэужь, я къуажэм щIы Iыхьэ къыщыхупачам унэ цIыкIу ирищIыхьыжри, адрейхэм зыкIи къакIэрымыхуу, псэун щIидзэжат. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, 1963 гъэм мэкъу къишэжрэ пэт, шитI зыщIэщIа гур уфэрэнкIри, КIунэ иукIауэ щытащ. Шэфий Фанисэ (ФатIимэт) (1880 - 1944) КъыкIэлъыкIуэ щIалэ Талъостэн, зэрылэжьакIуэшхуэм къищынэмыщIауэ, къуажэ еджапIэми мыIейуэ щеджащ. 1930 -1941 гъэхэм къриубыдэу Кировым и цIэр зезыхьэ колхозым лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щигъэзэщIащ. 1940 гъэм щхьэгъусэ тхьэIухуд, цIыхубз лэжьакIуэ Къаскъул Нубхъар къишауэ зауэр къэхъейри, дэкIащ. ЩIалэ ахъырзэманыр илъэситIкIэ япэщIэтащ зэрыпхъуакIуэ. 1941 гъэм Рабихьэ зыфIаща хъыджэбз цIыкIу къыхуалъхуащ. Езыр 1943 гъэм яукIауэ и благъэхэм хъыбар къаIэрыхьащ. А хъыбар гуауэр гущхьэкъутэ зыщыхъуа Жамырзэ абы ихьыжащ. Жамырзэрэ и щIалэ пажэмрэ я дауэдапщэхэр зэгъусэу дахащ. Талъостэн и щхьэгъусэ гумащIэмрэ хъыджэбз цIыкIумрэ бгырыс хабзэм тету псэуащ. Рабихьэ унагъуэ ихьэри, абырэ и щхьэгъусэ Быхъур Данилрэ быниплI зэдапIащ. Лъостэнбийт зэреджэр къыкIэлъыкIуэ щIалэм. И къуэш нэхъыжьым хуэдэу, абыи къуажэ школым пэщIэдзэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ. 1932 — 1941 гъэхэм къриубыдэу къуажэ колхозым щылэжьащ. Зауэр къэхъейуэ абы кIуа нэужь, Украинэр ихъумэу илъэситIкIэ дзэм хэтащ. Сталинградрэ Курскрэ щхьэхуит къэзыщIыжахэм яхэтащ. 1943 гъэм ари зауэм къыщаукIащ. Абыхэм я шыпхъу КIулэт Лъостэнбий къыкIэлъыкIуэр, и шыпхъу нэхъыжьым бгъурыту, абы ищIэхэр илъагъуу, зригъащIэу къэтэджащ. 1943 гъэм щIалэ ахъырзэман, щIэныгъэ зиIэ Шэрхъ Хьэбалэ дэкIуащ. Абыхэми я унагъуэ насыпыр кIыхь хъуну къахуиухатэкъым. Зауэм дэкIа щхьэгъусэм къигъэзэжакъым. Щхьэгъусэншэу къэна цIыхубзыр гугъу ехьми, и быниплIыр къызэфIигъэуващ, абыхэм лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу, жылэм зи сэбэп езыгъэкI цIыху къищIыкIащ. КIунэ (1911 - 1963) Талъостэн (1913 - 1943) Лъостэнбий (1915 - 1943) КIулэ (1916 - 1992) ЕплIанэр Мэхьилт. ЩIалэ IэпщIэлъапщIэт, къуажэдэсхэм къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэм щыщу абы хуэмыщI щыIэтэкъым. Къуажэ колхозыр щызэфIагъэувэм жыджэру хэтащ. Сабийуэ и Iэ ижьым игъуэта дыркъуэм папщIэ ар зауэм ягъэкIуакъым. Зауэм Iутхэм яшхын, щатIэгъэн къэзылэжьахэм ящыщщ. Мэхьил япэу къиша щхьэгъусэр Къулъкъужын Ипщэ щыщ Дзу Сэратт, а тIум быних зэдагъуэтащ. Сэрат дунейм ехыжа нэужь, 1967 гъэм Мэхьил къишэжащ а къуажэ дыдэм щыщ Нэхущ Тамарэ. Къэралбий бын еханэти, гулъытэмрэ нэхъыжьхэм я лъагъуныгъэмрэ къебэкIыу къэтэджащ. Хэку зауэшхуэ зэманыр хэбгъэкIмэ, адрейм Къэралбий и лэжьыгъэр Iэщым хэту ирихьэкIащ. Ар зауэм и курыкупсэм, и гуащIэгъуэм ирихьэлIащ. Зауэ нэужьым, 1950 гъэм, унагъуэ дахэу тIысыжри, Къарэнашэхэ япхъу Хъанийрэ абырэ быниплI зэдапIащ, илъэс 27-кIэ зэдэпсэуащ. Мэхьил (1918 - 1993) Къэралбий (1921-1977) Мусэбий (1922 - 1943) Мусэбий бын нэхъыщIэт. Абы Зеикъуэ дэт курыт школым классибгъу къыщиухащ. Iэзэу пшынэ зэреуэфым къищынэмыщIа, уэрэдри дахэу жиIэрт. Дэрбзэр IэщIагъэми мыIейуэ хэзагъэрт, унагъуэ Iуэхухэр Iэзагъэ хэлъу игъэзащIэрт. Фоч гъэуэнымкIэ я школым япэ увыпIэр къыщихьри, «Ворошиловский стрелок I степени» дамыгъэр къратат. Макъ дахэ зиIэ щIалэм уэрэдыжьхэр къришырт, къуажэ школым щыIэ гупжьейхэм жыджэру хэтт. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, и анэм и дэIэпыкъуэгъушхуэт. 1942 гъэм Мусэбий школым щIашри, зауэм дашащ. Дзэ Плъыжьым и сержант щIалэм лIыхъужьыгъэ къигъэлъагъуэу зауэм хэкIуэдащ, 1943 гъэм Ростов областыр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIагъэкIыжым щыгъуэ. «ПщIэ зыхуэтщI Джэдгъэф Жамырзэрэ ФатIимэтрэ. фи щIалэ Мусэбий зауэ IэнатIэм Iуту, лIыхъужьу хэкIуэдащ. Дэ фи гуауэр зэхыдощIыкI икIи дывдощыгъуэ», — жиIэу итт Мусэбий и командирым къитха письмом. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, письмор нобэм къэсакъым, абырэ Мусэбий и хьэпшыпхэм щыщу фронтым кърагъэхыжахэмрэ и анэ ФатIимэт и гъусэу щIалъхьэжащ, езым уэсят къызэрищIыжам хуэдэу. И щIалэ нэхъыщIэр имыIэжу хъыбар гуауэр къыщыIэрыхьэм сымаджэ хъури, 1944 гъэм дунейм ехыжауэ щытащ. «Зауэм и кIэр хьэдагъэщ», — жеIэ адыгэм. Ар пэжщ. Джэдгъэф Жамырзэрэ ФатIимэтрэ я щIалэхэм ящыщу псэууэ къэна Мэхьилрэ Къэралбийрэ я лъэпкъым и гъащIэм пащащ. Зэдэлъхузэшыпхъухэм я быныжхэм Джэдгъэфхэ я лъэпкъ жыгым и къудамэхэм зрагъэубгъу. ГъащIэ узыншэ яIэу дуней мамырым тетыну, насыпыфIэу псэуну сахуохъуахъуэ! Джэдгъэф Аслъэмырзэ. Налшык къалэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25149.txt" }
Нобэ Радиом и дунейпсо махуэщ. ЮНЕСКО-м и конференц нэхъыщхьэм и 36-нэ сессием 2011 гъэм щагъэувауэ щытащ, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Попов А. С. (Урысей), Маркони Гульельмо (Италие) сымэ радиор къэгупсысыным, ар цIыхубэм къагъэсэбэпу зэтраухуэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIар къалъытэри. 1924 гъэм Ставрополь крайр къызэрагъэпэщащ. 1943 гъэм мазаем и 13 — 17-хэм совет зауэлI-альпинистхэр Iуащхьэмахуэ дэкIри, абы и щыгуитIми фашистхэм я ныпхэр кърадзыхыжащ, Совет Союзым и бэракъри щыхатIэжауэ щытащ. Урыс тхакIуэшхуэ Крылов Иван къызэралъхурэ илъэс 244-рэ ирокъу. Кавказ тхыдэдж, адыгэхэм куэдрэ ятетхыхьа, жылагъуэ лэжьакIуэ Щербинэ Федор къызэралъхурэ илъэси 164-рэ ирокъу. Урыс уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Шаляпин Федор къызэралъхурэ илъэси 140-рэ ирокъу. Адыгэ драматург, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Кукэнэ Мурат и ныбжьыр илъэс 63-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 — 5, жэщым 2 — 3 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25163.txt" }
«Тажышхуэ» зэпеуэм и жэз медалыр Мудраным къехь ДзюдомкIэ «Тажышхуэ» зэпеуэр Франджым и къалащхьэ Париж иджыблагъэ щекIуэкIащ. Мазаем и 9-м щIэзыдза зэхьэзэхуэм и япэ махуэм утыку къихьащ Мудрэн Беслъэн. Килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм абы зэкIэлъхьэужьу щыхигъэщIащ Къэзахъстаным щыщ Коссаев Еркебулан, Узбекистаным икIа Урозбоев Диорбэч, куржы Папинашвили Амиран сымэ. Адыгэ щIалэр къыхэзыгъэщIэфар иужькIэ зэхьэзэхуэм щытекIуа япон Такатэ Наохисэщ. Ещанэ увыпIэм щыщIэбэна финал цIыкIум Мудрэныр щефIэкIащ хэгъэрейхэм ящыщ франджы Милу Софиан. Арати, «Тажышхуэ» зэпеуэм и жэз медалыр зыIэригъэхьащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм бэна Хьэбэчыр Мурат иубыдыфар еплIанэ увыпIэрщ икIи медалыншэу къэнащ. Ар хэтащ килограмм 81-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25165.txt" }
Налшык и хъуреягъыр къэзыкIухь гъуэгу КъБР-м и Правительствэм и мурадщ Налшык и хъуреягъкIэ къэзыкIухь гъуэгур зэращIыну проектыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и пащхьэ зэман гъунэгъум къриубыдэу ирилъхьэну. А гъуэгур сэбэп хъунущ республикэм и къалащхьэм и уэрамхэм щызекIуэ автомашинэхэр гъэмэщIэнымкIэ. Мы проектым щыхэплъащ КъБР-м транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, Налшык къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Кладько Игорь, Iуэхум къегъэщIылIа ведомствэ зыбжанэм я унафэщIхэр хэту республикэм и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Проектым и Iыхьэ нэхъыщхьэр зытеухуар Идарым и уэрамым щежьэу Севернэ уэрамым екIуалIэ, адэкIэ аэропортым къыпекIуэкIыу 3-нэ Промышленнэ дэкIыпIэм пыувэж гъуэгур укъуэдиинырщ. Абы ипкъ иткIэ, щIэуэ яухуэн хуейщ Къэбэрдей уэрамым щегъэжьауэ Севернэ уэрамым нэс кIуэ Iыхьэр. Мы проектым къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу гъуэгур яухуэмэ, Идарым и уэрамымрэ Къэбэрдей уэрамымрэ щызекIуэ транспортыр нэрылъагъуу нэхъ мащIэ хъунущ. ЗэIущIэм хэтахэм мы проектыр къезэгъыу къалъытащ. Фигу къэдгъэкIыжынщ Налшык хъурейуэ къыдекIуэкI гъуэгу ухуэн хуейуэ къызэрилъытэр республикэм и транспорт комплексым зегъэужьыным теухуа иужьрей зэIущIэхэм ящыщ зым Къанокъуэ Арсен щыжиIауэ зэрыщытар. Абы щыгъуэ республикэм и Iэтащхьэм къалэну къигъэуващ псом япэу къалэ кIуэцIым автомашинэхэр щызэтримыхьэн папщIэ зыхуеину Iуэхухэр ялэжьыну. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25169.txt" }
Нэхъ зэIухауэ лажьэ щIыналъэ унафэщIхэм ящыщщ «МониторингымкIэ лъэпкъ къулыкъущIапIэм» УФ-м и субъектхэм я Iэтащхьэхэм я медиа-рейтингыу 2013 гъэм и щIышылэ мазэм тещIыхьам къызэригъэлъагъуэмкIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм нэгъабэ и дыгъэгъазэм иIыгъа 48-нэ увыпIэм и пIэкIэ 6-нэ увыпIэм нэсу зиIэтащ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хиубыдэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм ящыщу Шэшэн Республикэм и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан 19-нэ увыпIэр, Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и Iэтащхьэ Мамсуров Таймураз 26-нэ увыпIэр, Ставрополь крайм и губернатор Зеренков Валерий 36-нэ увыпIэр, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид 67-нэ увыпIэр, Дагъыстэн Республикэм и Iэтащхьэу щыта Магомедов Магомедсалам 75-нэ увыпIэр яIыгъщ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25172.txt" }
Къанокъуэ Арсен: Медицинэм и зы IуэхущIапIи зэхуащIыжынукъым Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зегъэужьыным пыщIа Iуэхухэм щытепсэлъыхьым, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен хэхауэ жиIащ: «Илъэс кIуам и кIэухым республикэм исхэм яхэупщIыхьауэ щытащ властым и органхэр псом япэу зэлэжьыпхъэу къалъытэхэм теухуауэ. Абы щыгъуэ зэупщIахэм я процент 85,62-м жаIащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр къэIэтыным КъБР-м и Правительствэр япэ дыдэу елэжьыпхъэу къызэралъытэр. Абы къыхэкIыу сэ республикэм и Правительствэм и пщэ ислъхьауэ щытащ цIыхухэм къагъэлъэгъуа мыхъумыщIагъэхэр гъэзэкIуэжыным, щыIэ гугъуехьхэр дэгъэкIыным щIэгъэхуэбжьауэ телэжьэну. Хэхауэ къэзгъэлъэгъуэну сыхуейщ «Къэрал социальнэ политикэр гъэзэщIэнымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм ятеухуауэ» УФ-м и Президентым къыдигъэкIа Указми а Iуэху дыдэхэр къызэрыщыгъэлъэгъуар. А документыр ди щIыналъэм зэрыщагъэзащIэм си щхьэкIэ зэпымыууэ сыкIэлъоплъ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр егъэфIэкIуэныр елъытащ а IэнатIэм и зэхэлъыкIэр зэрыхуэфащэкIэ зэхъуэкIынми, медицинэм и лэжьакIуэхэм улахуэр зэрырат щIыкIэр гъэтэмэмынми. Иджыпсту муниципальнэ щIыналъэхэм узыншагъэр хъумэнымкIэ я IуэхущIапIэхэр зэгуагъэхьэ, зы унафэм щIагъэувэ. Абы хуэгъэзауэ республикэм ис псоми яжесIэну сыхуейщ: цIыхухэм щеIэзэ зы IуэхущIапIи зэхуащIыжынукъым. Мы зэхъуэкIыныгъэр зыхуэунэтIар юридическэ IэнатIэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэнырщ. Псалъэм папщIэ, къуажэхэм щыIэ амбулаторэхэр сыт щыгъуи хуэдэу къуажэдэсхэм ятелэжьэнущ, ауэ абыхэм я финанс, хозяйствэ Iуэхухэр район сымаджэщхэм, поликлиникэхэм зэрагъэкIуэнущ, абыхэм я унафэм къуажэхэм щыIэ медицинэ IуэхущIапIэхэр зэрыщIагъэувэм къыхэкIыу. Апхуэдэу медицинэм и лэжьакIуэхэм я бжыгъэми кIэрагъэхунукъым. Лей хъу IэщIагъэлIхэм, псом япэу дохутырхэм, папщIэ дэ «2013 — 2017 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я зэфIэкIым хэгъэхъуэныр» республикэ программэ хэхам тету курс щхьэхуэхэр къызэдгъэпэщынущ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэр зэрызэгуагъэхьэжым къыхэкIыу IэщIагъэлIхэр, медицинэ Iэмэпсымэхэр, мылъкур нэхъ сэбэп пылъу къагъэсэбэпу щIадзэнущ. Амбулаторэхэм хуаутIыпщ ахъшэм хэхъуэнущ. Апхуэдэу 2013 гъэм, 2014 — 2015 гъэхэм я лъэхъэнэм КъБР-м и республикэ бюджетым медицинэм и лэжьакIуэхэм улахуэу иратын папщIэ щыхухах ахъшэм хагъэхъуащ». КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25175.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэралыр зыхуейхэм папщIэ заказхэр хэгуэшэнымкIэ и къэрал комитетым и унафэщIым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 81-нэ статьям и «б» пунктым тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэралыр зыхуейхэм папщIэ заказхэр хэгуэшэнымкIэ и къэрал комитетым и унафэщIу гъэувын ДзыхьмыщI Артур Юрий и къуэр. 2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мазаем и 1-м №15-УГ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25179.txt" }
ЩокIуэкI Венецием карнавал
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25184.txt" }
КъБР-м и телевиденэмрэ радиомрэ къатынухэр 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, мазаем и 18 7.20 Мультфильм (6+) 8.10 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.35 «Ди псэлъэгъухэр». КъБР-м щIыхь зиIэ и ар-тисткэ Тхьэщыгъуей Жаннэ (адыгэбзэкIэ) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 «Белляу-белляу». Балъкъэр, къэрэшей гущэкъу уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.30 «ТВ-галерея». Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и актрисэ Кравцовэ Наталье 19.25 «Лъэхъэнэ». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Биттировэ Тамарэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 19.55 «БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ». Сирием къикIыж адыгэхэр къытхэсыхьыжыным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.20 «Нэгум фиплъэмэ». Къэбэрдей-Балъкъэрым Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и кардиологие центрым и дохутыр нэ- хъыщхьэ Щэрдан Нодар (16+) 20.55 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. Япэ Iыхьэ 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, мазаем и 19 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ». Иджырей къэрэшей-балъкъэрыбзэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа «стIол хъурей» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.30 «Унагъуэ». Арахъэхэ я унагъуэр. Арщыдан къуажэ (адыгэбзэкIэ) 9.00 «Нарт пшыналъэхэр». «Жьыу» ансамблыр. Адыгей Республикэ (адыгэбзэкIэ) 9.30 «Нэхъ лъапIэ дыдэр». Шэджэм къалэ и «дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэм ятеухуауэ (16+) 18.00 «Динамо» спорт клубым дзюдомкIэ пашэныгъэр къэхьыным теухуауэ иригъэкIуэкIа зэпеуэм. Репортаж 18.40 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.25 «Ди щIэин». Отаров Керим и цIэр зезыхьэ балъкъэр щэнхабзэ центрым и лэжьыгъэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 19.55 «Iуэху еплъыкIэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.20 «Тайм-аут». Спорт тележурнал 20.35 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. ЕтIуанэ Iыхьэ 21.15 «Чемпионхэр». Белгъэрокъуэ Хьэжсет 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, мазаем и 20 7.20 Мультфильм 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Къарачайым — Малкъарым». Къэрэшей-балъкъэр эстрадэ артистхэм я концерт. ПэщIэдзэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.40 «Гъуазджэм и дуней» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.15 Каскадер Быгуэ Ахьмэд (16+) 9.40 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 18.00 Мультфильм 18.20 «Дыщэ микрофон». Кавказым и макъамэ саугъэт нэхъыщхьэр щат зэIущIэм. ПэщIэдзэр 19.25 Мультфильм 19.30 «ЦIыху». Авиацэм и ветеран Хоханаев Хьэким (балъкъэрыбзэкIэ) 20.00 «Нобэ, пщэдей…». Бахъсэн район сымаджэщыр (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.20 «Шэрджэсхэм я дуней». Сабий, ныбжьыщIэ творчествэм и республикэпсо фестиваль-зэ-пеуэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.50 «ХъуэпсапIэхэр нэхуапIэ мэхъу» 21.05 «Псэм и усыгъэ». Абазэ Мухьэмэд 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, мазаем и 21 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Къарачайым — Малкъарым». Къэрэшей-балъкъэр эстрадэ артистхэм я концерт. КIэухыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.40 «ЦIыкIураш». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) 8.55 «Пшынэ Iэпэр псалъэу». Пшынауэ Къудей Зое (адыгэбзэкIэ) 9.25 «ТекIуэныгъэр къэзыхьахэр» (адыгэбзэкIэ) 18.00 Мультфильм 18.20 «Дыщэ микрофон». Кавказым и макъамэ саугъэт нэхъыщхьэр щат зэIущIэм. КIэухыр 19.25 Мультфильм 19.35 «Литературэм теухуа псалъэмакъ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.05 «Гум къикI уэрэдхэр». Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэ Хьэкъул Оксанэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.40 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.10 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». Декоратор Щоджэн Заур (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, мазаем и 22 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Зауэм и джэ макъ». Мокаев Магомед и зауэ лирикэ (балъкъэрыбзэкIэ) 8.30 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) 8.55 «Чемпионхэр». Къуэдзокъуэ Анатолэ 9.20 «Мир в ладошке». Сабийхэм папщIэ псапащIэ Iуэху (6+) 18.00 «Дар фантазии». Сабий модэм и театру Налшык гъуазджэхэмкIэ и еджапIэ №1-м деж щылажьэр 18.30 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 19.25 Мультфильм 19.30 «Зи къулыкъум хуэпэжа». Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран Багъ Сейфудин (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.00 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ тележурнал (12+) 20.20 «Республикэм хуэгъэзауэ». Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хьэщпакъ СулътIан 20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, мазаем и 23 7.45 ХъыбарыщIэхэр 8.00 «Жьэгу» (балъкъэрыбзэкIэ) 8.30 «Уафэгум ихьэжа». Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ Ахьмэдхъан (адыгэбзэкIэ) 8.55 «ФIым телэжьэн» (адыгэбзэкIэ) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.10 «ЛIыхъужьыгъэм и гъуэгукIэ». Совет Союзым и ЛIыхъужь Уммаев Мухьэжыр (балъкъэрыбзэкIэ) 16.40 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 16.55 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) 17.30 «Республикэм щыхъыбархэр» (адыгэбзэкIэ) 17.45 «Япэ». Композитор Къардэн Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 90 щрикъум ирихьэлIэу 18.25 «Налшык лIыхъужьыгъэм и къалэщ». Телефильм 19.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, мазаем и 24 7.25 «Ойнай-ойнай…». ГушыIэ программэ (балъкъэрыбзэкIэ) 7.40 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 7.55 «Мэзло Руслан и «Дыгъэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8. 20 «Республикэм щыхъыбархэр» (адыгэбзэкIэ) 8.35 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ тележурнал (12+) 8.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.50 Мультфильм 17.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 17.30 «Унагъуэ». Энеевхэ я унагъуэр. Налшык къалэ (балъкъэрыбзэкIэ) 18.05 «Дыщэ пхъуантэ». Нэгузегъэужь программэ (адыгэбзэкIэ) 18.30 «Ди псэлъэгъухэр». Жэмтхьэлэ Ищхъэрэ къуажэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Къэгъэзэж СулътIан (адыгэбзэкIэ) 19.00 «КикбоксингымкIэ КъБР-м и кубок»». Репортаж 19.40 «Курп лъагапIэхэр». Хэкур фIыуэ ялъагъуу щIэблэр гъэсэным теухуауэ КъБР-м и РОСТО ДОСААФ-м иригъэкIуэкIа Iуэху 20.10 «ЛИК». Тележурнал 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (I2+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, мазаем и 18 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын. 21.15 «Хамэ сабий щыIэкъым». Гъубж, мазаем и 19 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын. 9.30 «Макъамэ пощт». 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «Литературэм и лъахэ». 21.10 «Зэманым и лъэужь». Бэрэжьей, мазаем и 20 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу. Ретро ТВ. КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ КъуэщIысокъуэ Нурхьэлий (адыгэбзэкIэ). Махуэку, мазаем и 21 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «Нобэ япщэфIахэр». 9.30 «Макъамэ пощт». 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу. «Хэкупсэрэ и къалэным хуэпэжу» 21.10 Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу. «ЦIыхумрэ зэманымрэ». Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, академик Ахматов Ибрэхьим (балъкъэрыбзэкIэ) Мэрем, мазаем и 22 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр. 20.40 «ВОЯЖ» программэр. Щэбэт, мазаем и 23 Лажьэркъым. Тхьэмахуэ, мазаем и 24 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр». 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. КъБР-м и радио Блыщхьэ, мазаем и 18 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00/18.05 «Гум и къеуэкIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «КъежьапIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, мазаем и 19 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.53/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди зэманыр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «УэрэдкIэ йохъуэхъу» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 Мосолов А. «Нартхэм ятеухуа пшыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/14.30 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, мазаем и 20 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «ЩIымрэ абы щыпсэу цIыхумрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, мазаем и 21 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.0, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди зэманыр» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 9.35/17.30 «Макъамэ» (урысыбзэкIэ). 9.44/17.42 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 Уэрэдыжьхэр (адыгэбзэкIэ). 10.45/11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Чепелеу фрегъэблагъэ». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 12.25/18.30 «Дэтхэнэри щIыхьэну хуит ящI» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, мазаем и 22 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «Ф1ыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ». Диныр зи фIэщ хъухэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.32 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, мазаем и 23 Хэкум и хъумакIуэм и махуэщ 7.00/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Шаудан». Радиожурнал (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и щIыналъэм» (урысыбзэкIэ). 10.00 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.30 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00/14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, мазаем и 24 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ). 10.40/11.00 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35/14.00 «Зэи ямыужэгъу уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25189.txt" }
Фызэхуэпэжу, фызэрылъытэу фызэдэпсэу А махуэр къыхахын хуей щІэхъуам хъыбар зыбжанэ иIэщ. Цыджанхэм — зи Iуэху зэхуэмыхъуу, гугъу ехьурэ къэгъуэгурыкIуэ лъэпкъым — я гуапэ ящІыжын я мурад хуэдэ, абы и зы хабзэжьым къытрахауэ къэзылъытэхэри щыIэщ. ЗэрыжаІэмкІэ, ди эрэм и пэ 4-нэ лІэщІыгъуэм, урым щІалэ ныбжьыщІэхэр я тхьэпалъэ Луперк (урымхэм бэвагъым и тхьэу къалъытэу щытам) лъагъэІэсын е ар къыхуагъэупсэн папщІэ, зы хьэгъуэлІыгъуэ гъэщІэгъуэн ирагъэкІуэкІырт. Хъыджэбз зи ишэгъуэхэм я цІэхэр тхьэмпэ зырызым тратхэрти, зы чысэм иракІутэрт, щІалэхэри зырызурэ абы хагъэІэбэрт. Зи насып къэкІуам а хъыджэбз зи ишэгъуэхэм ящыщ зым и цІэр кърихырти, етІанэгъэ пщІондэ ахэр зэгъусэну хуитт. ЗэгурыІуэрэ зэгуакІуэмэ, зэрышэхэу, унагъуэ хъууэ къыщІэкІынт, зэгурымыІуэрэ зэмыгуакІуэмэ — зэпыкІыжхэу. Ауэ ди эрэм и 270-нэ илъэсым император Клавдий ЕтIуанэм (абы Клавдий залымкІи еджэрт), зэуэн хуей хъулъхугъэхэм унагъуэ ящІ мыхъуну унафэ къыдегъэкІ, я бынунагъуэр ягу къэкІыурэ фІыуэ мызэуэфхэу жеІэри. Тхьэм фІыуэ илъэгъуауэ, тхьэхуэфІу ябж цІыху Іущ Валентини а унафэр фІэигъуэджэти, идэртэкъым. Ауэ залымым дауэт зэрыпэувыфынур! ЗэгуэкІуахэр и деж ишэрти, щэхуу нэчыхь яхуитхыурэ зэригъашэрт абы. Пащтыхь Клавдий ар къыщищІэм, Валентин иреджэри апхуэдэу щІищІэмкІэ йоупщІ. Ар щІищІэр икІи ар тэмэму къызэрилъытэр цІыху Іущым апхуэдизкІэ бзэ ІэфІкІэ хуеІуатэри, мо цІыху губзыгъэр зэуэ игъэкІуэдыну пащтыхьым фІэгуэныхь мэхъу. Абы йоущие, щІегъуэжрэ а ищІэ-жиІэхэр щигъэтыжмэ, и диныр хыфІидзэмэ, нэхъапэм «зэхищIыхьахэр» хуигъэгъуну жреІэ. Ауэ модрейр къикІуэтыркъым. Пащтыхьым Валентин лъэхъуэщ кІыфІым щIрегъадзэ, ярегъэубэрэжь, игъашхэркъым, псы иригъафэркъым… КъыщимыкІуэтым, щхьэпылъэ тралъхьэ. Валентин лъэхъуэщым щисым, абырэ тутнакъхъумэм ипхъу Юлиерэ уэршэрэгъу зэхуохъу. Хъыджэбзыр нэфт. Валентин абы, япэрауэ, и гур къегъаплъэ, Тхьэр и фІэщ ещІ, гъащІэм и къекІуэкІыкІэр гурегъаІуэ… Ауэрэ зогуакІуэхэ. Ахэр Тхьэм йолъэІури, Юлие и нэхэр къоплъэж. Валентин и щхьэр палъэну щашэм, абы «уи Валентин къыбгъэдэкІыу» жиІэу иухыжу зы тхыгъэ къыхуегъанэ, псалъэ гуапэ фІэкІа имыту. Валентин 270 гъэм мазаем и 14-м палъэ. Абы къытехъукІауэ, мазаем и 14-р 1800 гъэм къыщыщІэдзауэ ЗэгуэкІуахэм я махуэу ягъэлъапІэ. Нэхъ пэжу жыпІэнумэ, иджы ар капитализмэм къегъэсэбэп цІыхухэр кърыдихьэхрэ, ар я щхьэусыгъуэу ахъшэ куэд яригъэгъэкІуэду. АбыкІэ сэ фыкъызэупщІмэ, вжесІэну сызыхуейр мыращ: ФызэгуэкІуамэ, фІыуэ фызэрылъагъу, фызэхуэпэжу, фызэрылъытэу фызэдэпсэу. Фи гугъэ-гупсысэ зэдэвгуэш, фызэчэнджэщ, пщIэ зэхуэфщІ, псалъэ гуапэ зэжефІэ… КъэгъэпцІакІуэхэм, цІуугъэнэ нэпцІхэм зыдевмыгъэхьэх. Фи лъагъуныгъэр цІуугъэнэ нэпцІкъым зыхуейр, атIэ, гу къабзагъэщ, фызэхуэпэжынырщ, псалъэ гуапэщ. ХЪУАЖЬ Фахъри.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25192.txt" }
ЗыкъыпщIагъакъуэмэ, узри пщхьэщокI Осетие Ищхъэрэм щыщ ныбжьыщIэхэм Сабий сымаджэхэм ахъшэ хузэхуахьэсащ. Махуи 4-м къриубыдэу сом мелуани 4-рэ мин 500-рэ Владикавказ щыпсэухэм къыхахащ къалэдэс Гаджиновэ Янэ щхьэкIэ. Мы зэманым абы къыщоIэзэ Германием и клиникэм. Ауэ хъыджэбзыр псэужынутэкъым, гу хьэлэл зиIэхэр мыхъуамэ. Уунэхъунумэ куэдрэ? Нэгъабэ и шыщхьэIум Янэ и ныбэр зэуэ хуабжьу къыхэузыкIащ. ИужькIэ узыр тхым Iэпхъуащ. Абы и дежи къыщыувыIакъым: сыхьэт зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу, и лъакъуитIри къыщIэмыувэж хъуащ. А зэманым школыр къиухарэ зыуэ ят экзаменхэми фIы дыдэу пэлъэщауэ апхуэдэт. Янэ щIагъэтIысхьат и тхылъхэр зрита еджапIэ нэхъыщхьэ псоми. Ауэ яхэдэну хунэсакъым. Зыри къимыкIыу, пIалъэ кIыхькIэ къеIэза иужь, хъыджэбзыр МЧС-м и кхъухьлъатэкIэ Москва нагъэсащ. Ар мазэм нэскIэ щIэлъащ Урысейм Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ и академием НеврологиемкIэ и центрым. АрщхьэкIэ ягъэхъужыфакъым. Арати, и адэ-анэм Германием яшэн хуей хъуащ. Абы къыщыжраIащ цIыху мелуан къэс зым фIэкIа къыхуэмыкIуэ уз шынагъуэ дыдэр къызэреуэлIар. Мыбы тхьэмахуэ зэхуакуищкIэ щызэбгъэIэзэным сом мелуанищ текIуадэрт. — Дохутырхэм къыжраIащ зралъэфыхь зэрымыхъунур: хъыджэбзыр лIэнкIэ е псэ-ухукIэ ныкъуэдыкъуэу къэнэнкIэ зыхуэIуа щыIэкъым. Абы ирихьэлIэу Янэ нэхъ сымаджэ хьэлъэ хъуати, къашэжыфынутэкъым. Клиникэм къыщIэнэн папщIэ, ахъшэ ятын хуейт. Гаджиновхэ мылъкушхуэ ябгъэдэлътэкъым, — къеIуэтэж Янэ къегъэлыным щIэбэнахэм ящыщ, Сабийхэм ядэIэпыкъунымкIэ урысей фондым и осетие ищхъэрэ къудамэм и унафэщI Сагеевэ Мадинэ. Апхуэдэу щыхъум, Янэ и шыпхъу нэхъыжьым ИнтернеткIэ и лъахэгъухэм захуигъэзащ, сымаджэм и гугъу яхуищIащ, и сурэтымрэ трахауэ щыта видеомрэ (Янэ дахэу уэрэд жеIэ) ирилъхьащ. ЦIыхухэм ахъшэ къыхуагъэхьу щIадзащ. Iуэхур щIэхуэбжьащ хъыджэбзым дэIэпыкъуным хуэгъэза лъэIур интернет-ресурс цIэрыIуэ дыдэмрэ республикэм псоми къыщацIыху блогер Салбиев Алан и сайтымрэ ихуа иужь. «Сэ си фIэщ мэхъу фIы тщIэн папщIэ гу хьэлэл диIэн фIэкIа дызэрыхуэмейр. Дэ ди закъуэщ хъыджэбзыр къезыгъэлыфынур! Зы сом фIэкIа къыхэвмылъхьэми, ар фэ псапэ фхуэхъунущ», — къыхуриджэрт Алан. — Iуэхум цIыху куэд къыхыхьащ. Алан хэт сыт хуэдиз ахъшэ къыхилъхьами сайтым къыщигъэлъагъуэу хуежьа иужь, Iуэхур зэпеуэм хуэкIуащ. Дэтхэнэри хуейт къыхэжаныкIыну, — игу къегъэкIыж Сагеевэ Мадинэ. Абы къыдэкIуэу осетин антиквар, тхыдэдж икIи блогер цIэрыIуэм езым и сайтым псапащIэ аукцион къыщызэIуихащ, абы ахъшэжьхэр, Владикавказ и щIыпIэ дахэхэм траха сурэтхэр ирилъхьэри. Абы къришэлIащ нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщхэри. Куэдым телъыджэ ящыхъуащ Самарэ щыщ Дмитрий и цIыхуфIагъыр: абы япэ щIыкIэ сом минищэ, иужькIэ мелуан къригъэхьащ. Iуэхур щекIуэкIым къащIащ республикэм сымаджэ хьэлъэу сабиищ зэрыщыIэр — Караевэ Камиллэ, Бекоев Боря, Фидаров Давид сымэ. Абыхэм ахъшэшхуэ зытекIуэдэну операцэ пIалъэ кIэщI дыдэм къитIасэу хуащIын хуейт. Апхуэдэу щыхъум, Алан зэхиублащ «Ахъшэ жьгъейуэ зы мелуан» Iуэхур. Абы теухуа хъыбарегъащIэхэр Владикавказ и щIыпIэ псоми щыфIалъхьащ, блогхэм иралъхьащ, газетхэм къытрадзащ: «Фи мыгугъэ фэ зэфIэкI фимыIэу! «Ахъшэ жьгъейуэ зы мелуан» псалъэхэр зытетха тхылъымпIэ пхъуантэ цIыкIум ивдзэ, дэтхэнэ сомри дэ сэбэп къытхуэхъунущ. Фи жыпхэм фиIэбэ, фи сумкэхэм фыдэплъэ. Жьгъей фымыIыгъыу пIэрэ? Дызэгъусэмэ, дэ дадэIэпыкъуфынущ. Ахъшэ къыхэфлъхьар фIэкIыпIэ имыIэу клиникэм едгъэхьынущ. Фи Iуэху фIы ирикIуэ!» Алан жыжьэрыплъэу къыщIэкIащ: дэтхэнэ школакIуэми, студентми ахъшэ жьгъей иIэщ. Зы махуэм зы щIыпIэ и деж псори щызэхуэсу жьгъейхэр халъхьэну зэгурыIуащ. Куэдым апхуэдэуи ящIащ. — Зи лъакъуэхэр саркомэ хъуа Бекоев Боря и классэгъухэр Iуэхум нэхъ куужу хыхьащ: ахэр къалэм дэтащ ахъшэ зэхуахьэсу. Сабийхэр пхузэтеубыдэнутэкъым, — игу къегъэкIыж Мадинэ. — Адрей еджапIэхэми зы-къыщIагъэкъуащ. Республикэм и Правительствэм сом мелуанитI къыхилъхьащ. Зы тхьэмахуэ зэхуакум псори зэхэту сом мелуани 6-рэ мин 382-рэ 374-рэ кIэпIейкIэ 21-рэ зэхуахьэсащ. Абыхэм ящыщу сом мелуани 4-рэ мин 500-р Янэ лъысащ. Гаджиновхэ а ахъшэм сом мин 300 къыхахри лышх уз зыпкърыт Караевэ Камиллэ хуагъэхьащ. Аргуэру сом мин 300 илъэситI зи ныбжь а хъыджэбз цIыкIум жьгъейуэ хузэхуахьэсащ. Правительствэм къыбгъэдэкIыу сом мелуан иратащ Фидаров Давид. Бекоев Боря и гугъу пщIымэ, и классэгъухэм абы хузэхуахьэсащ жьгъей защIэу зы мелуан. И унагъуэр и гъусэу, Янэ мы зэманым Германием щыIэщ. И анэм телефонкIэ къыджиIащ ныбафэкIэ телъ хъыджэбзыр хуэмурэ зыкъиIэтыф зэрыхъуар. Дохутырхэм ар ирагъэсэж къикIухьыфу. Хъыджэбзым и адэ-анэм гъунапкъэншэу фIыщIэ хуащI я пхъур къегъэлынымкIэ къадэIэпыкъуа псоми. Караевэ Камиллэ папщIэ ахъшэ зэхуэхьэсыным хыхьащ ипэIуэкIэ зи гугъу тщIа фондыр. Ар зэфIэкIащ щIышылэм и 30-м. Камиллэ и анэм къыджиIащ: — Сабийр сымаджэ хьэлъэ дыдэщ. Урысейм и дохутырхэр тегушхуэркъым ар операцэ ящIыну. Германием и дохутыр нэхъ Iэзэ дыдэхэм ящыщ Швайниц Дитрих арэзы хъуащ. Абы папщIэ сом мелуанрэ мин 450-рэ дыхуейщ. Дэри ди Iыхьлыхэми апхуэдиз ахъшэ дбгъэдэлътэкъым. КъыддэIэпыкъуа псоми фIыщIэшхуэ яхузощI. Емельяновэ Светланэ. «Российская газета».
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25195.txt" }
«Спартак-Налшыкыр» Кипрым щытокIуэ Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокыр къэхьыным теухуауэ Кипрым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и етIуанэ зэIущIэм «Спартак-Налшыкыр» щытекIуащ. Дыгъуасэ ди щIалэхэм Волгоград и «Ротор»-р 1:0-у хагъэщIащ. Топ закъуэр дэзыгъэкIар Колумбием кърашу «Спартак-Налшыкым» къыхагъэхьа Руащ. ЗэIущIэр зэрекIуэкIамрэ джэгугъуитIым яужькIэ гуп зэпеуэм и турнир таблицэм игъуэта теплъэмрэ ятеухуа тхыгъэ ди газетым тетынущ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25198.txt" }
Мы махуэхэм Мазаем и 14, махуэку ЗэгуэкIуахэм я дунейпсо махуэщ 1943 гъэм советыдзэхэм Дон Iус Ростов къалэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. 2008 гъэ лъандэрэ абы «Зауэ щIыхьым и къалэ» цIэр зэрехьэ. Мазаем и 14 — 17-хэм Москва щекIуэкIынущ Урысейм и сабий дохутырхэм я ХVII съездыр. Абы хэтыну ирагъэблэгъащ нэгъуэщI къэралхэм щыщ IэщIагъэлI цIэрыIуэхэри. Кавказым и тхыдэдж, адыгэхэм куэдрэ ятетхыхьа генерал-лейтенант Потто Василий къызэралъхурэ илъэси 177-рэ ирокъу. Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, 1997-2000 гъэхэм ДАХ-м и тхьэмадэу щыта Акъбащ Борис къызэралъхурэ илъэс 81-рэ ирокъу. Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Батыр Умар и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Къардэн Маринэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 — 5, жэщым 1 — 2 щыхъунущ. Мазаем и 15, мэрем Лышх узыр зэуэлIа сабийхэм я дунейпсо махуэщ. Сабийхэм еIэзэ онкологхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и нэIэм щIэту ирагъэкIуэкI 2003 гъэм щыщIэдзауэ. Правительствэр связкIэ къызэзыгъэпэщ дзэхэм я махуэщ 1960 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. Мазаем и 15 — 16-хэм Москва щызэхэтынущ «Къэрал 20 зыхыхьэ гуп» зэгухьэныгъэм хэтхэм финансхэмкIэ я министрхэмрэ Банк нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэмрэ я сессие. Адыгэ сурэтыщI-скульптор Къалмыкъ Фёдор къызэралъхурэ илъэс 81-рэ ирокъу. КъБР-м промышленностымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Атэлыкъ Анатолэ и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 1 — 4, жэщым 0 — 1 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25201.txt" }
Кавказ Ищхъэрэм зегъэужьынымкIэ куэд яхузэфIэкIынущ Президент программэм тету еджахэм я ассоциацэхэм я «Кавказ Ищхъэрэ» консорциумым хэтхэм я зэIущIэ иджыблагъэ Домбей къыщызэригъэпэщащ абыхэм я лэжьэгъу GIZ нэмыцэ зэгухьэныгъэм. А зэIущIэм хэтащ Кисловодск къалэм конференцэ, Налшык къалэм «ХьэщIагъэ зыхэлъ Кавказ» фестиваль щегъэкIуэкIынымкIэ жэрдэмщIакIуэ гупхэмрэ къызэгъэпэщакIуэ комитетхэмрэ хэтхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы щыIащ УнафэщI кадрхэр гъэхьэзырынымкIэ щIыналъэ комиссэм жэуап зыхь и секретарь Щоджэн Заирэтрэ Президент программэм тету еджахэм я «Альп» ассоциацэм и президент Щад Залинэрэ. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ консорциумым иужьрей илъэситIым зэфIигъэкIахэм, апхуэдэу 2013 гъэм къапэщыт къалэн нэхъыщхьэхэм. GIZ зэгухьэныгъэм Москва дэт и проект бюром и унафэщI Богданов Владимиррэ эксперт Сучковэ Аннэрэ консорциумым и Iуэху зыIутхэм кIэщIу тепсэлъыхьри, зэIущIэм хэтахэм я пащхьэ къралъхьащ лэжьакIуэ гупхэм къапэщыт Iуэху нэхъыщхьэхэр. Щапхъэ пыухыкIахэр къагъэлъагъуэурэ, абыхэм зэпкърахащ Кисловодск щекIуэкIыну конференцымрэ Налшык къыщызэрагъэпэщыну «ХьэщIагъэ зыхэлъ Кавказ» фестивалымрэ зэрызыхуагъэхьэзырыну, зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэм. ЕтIуанэ махуэм зэIущIэм хэтахэр секцэ щхьэхуэхэм щылэжьащ. ЗэIущIэм кърикIуахэм я гугъу щищIым Щоджэн Заирэт къыхигъэщхьэхукIащ «консорциумым и лэжьыгъэр зэгъэуIунымрэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округыр унафэщI лэжьакIуэ хъуну IэщIагъэлIхэмкIэ къызэрызэгъэпэщар къэпщытэнымкIэ» абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Ди дежкIэ Iуэху нэхъыщхьэр апхуэдэ зэIущIэхэм ди щIыналъэм и цIэр фIыкIэ зэрагъэIурщ, абы и лъэныкъуэкIэ Президент программэм тету еджахэм дяпэкIи куэд зэралэжьыфынурщ», — жиIащ абы. Мы консорциумыр 2012 гъэм и гъатхэпэ мазэм къызэрагъэпэщащ, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм зегъэужьыным къарурэ зэману яIэ псори езыхьэлIэ цIыхухэмрэ организацэхэмрэ зыщIагъэкъуэн мурадкIэ. Абы хыхьащ Дагъыстэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ставрополь крайм я щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр. Къэрэщей Элеонорэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25204.txt" }
ТекIуэныгъэ Иным ирихьэлIэу Налшык къалэ администрацэм къыщызэрагъэпэщащ «Фэеплъым и блын» хэкупсэ акцэм зыхуэгъэхьэзырыным елэжьыну штаб щхьэхуэ. ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 70 зэрырикъум ехьэлIа мы Iуэхугъуэм ипкъ иткIэ, зауэм теухуа тхыгъэхэр зэхуахьэсын щIадзащ. Акцэр егъэкIуэкIынымкIэ жэуап зыхь, Налшык къалэ администрацэм щIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмкIэ и къудамэм щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, «Фэеплъым и блыныр» интернетым щагъэлэжьэну хъыбарегъащIэ порталщ. Абы иралъхьэнущ зауэм хэтахэм, зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэм ятеухуа хъыбархэмрэ гукъэкIыжхэмрэ. КъызэгъэпэщакIуэхэм налшыкдэсхэр къыхураджэ мы Iуэхум жыджэру хэтыну. Абы папщIэ зауэ лъэхъэнэм трахауэ унагъуэхэм щахъумэ сурэтыжьхэр, письмохэр, зауэм хэтахэм я дэфтэрхэр, а лъэхъэнэм IэнатIэ гугъу пэрытахэм ятеухуа тхыгъэхэр ирахьэлIэн хуейщ «Фэеплъым и блын» акцэр къызэзыгъэпэщахэм я деж. Ахэр электроннэ мардэм тету хъыбарегъащIэ порталым иралъхьэнущ. Зи гугъу тщIы штабыр къалэ администрацэм и унэм щыIэщ: КIыщокъуэм и уэрам, 70, 24-нэ пэш. ФызыщIэупщIэн щыIэмэ, мы телефонхэмкIэ къызэгъэпэщакIуэхэм запыфщIэ хъунущ: 47-46-96, 42-27-68. Iуэхур зыхуэунэ-тIар ди къэралыр хуит къэзыщIыжа зауэлI хахуэхэм ятеухуа хъыбархэм къыдэкIуэтей щIэблэр щыгъэгъуэзэнырщ, абыхэм я фIыщIэмрэ щIыхьымрэ хъумэнырщ. Акцэр 2015 гъэм и накъыгъэ мазэм нэсыху екIуэкIынущ. Жанхъуэт Зузэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25207.txt" }
Къанокъуэ Арсен Интернетым напэкIуэцI щIэуэ къыщызэIуихащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм дяпэкIэ щыгъуазэ зыщыфщIыфынущ «В контакте» социальнэ сетым. Апхуэдэ официальнэ напэкIуэцI къызэIуихыну Къанокъуэ Арсен триухуауэ щытащ иджыблагъэ щIалэгъуалэм щаIущIам. Къэралым и вуз зэмылIэужьыгъуэхэм фIы дыдэу щеджэ студентхэм КъБР-м и Iэтащхьэм и цIэкIэ ягъэува стипендиехэр щратым щыгъуэ Къанокъуэ Арсен ахэр «В контакте» сетым щызэхуэзэну къригъэблэгъауэ щытащ икIи и псалъэр игъэпэжащ. КъБР-м и Iэтащхьэм и напэкIуэцIым и адресыр: http://vk.com/arsen kanokov. «Дэ мы сетыр дэIэпыкъуэгъу къытхуохъу, хэт дэнэ щIыпIэ щыпсэуми, щеджэми, дызэрыпэжыжьэр къызэднэкIыу, гупсэхуу дызэпсэлъэнымкIэ»,- жиIащ Къанокъуэ Арсен. Фигу къэдгъэкIыжынщ КъБР-м и Iэтащхьэм апхуэдэу Интернетым видеоблог зэрыщиIэр,Twitter, Facebook аккаунтхэр зэрыригъэкIуэкIыр. «МониторингымкIэ лъэпкъ къулыкъущIапIэм» къызэритамкIэ, и напэкIуэцIхэм къеджэ цIыхухэм я бжыгъэмкIэ (мини 6-м нэблагъэ) Къанокъуэ Арсен япэ ит щIыналъэ унафэщI 20-м яхэтщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25210.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Фэ фщIэрэ? Какамрэ кеамрэ Новэ Зеландием къуалэбзу гъэщIэгъуэнхэр щыкуэдщ, псом хуэмыдэу дыдыкъушхэр (попугайхэр). Абыхэм ящыщщ а къуалэбзу лIэужьыгъуэхэм хабжэ Нестор-какамрэ Нестор-кеамрэ. Нестор-какам и кIыхьагъыр сантиметр 47-рэ мэхъу, и дамэхэр сантиметр 83-рэ и бгъуагъыу зэкIэщIех. Кеар нэхъ инщ: абы сантиметр 50 и кIыхьагъщ. Мыбы и фэр плъыфэ зэмылIэужьыгъуэ куэду зэхэтщ, и нэхэри къуэлэнщ. Какам Новэ Зеландием и бгыхэм, бгыщхьэ лъапэм щыщIэдзауэ мэз Iувым нэс зыщиубгъуащ. Кеар ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ бгыхэм щыщIэдзауэ ищхьэмкIэ, метр 1500-2000 зи лъагагъхэм щопсэу. Тафэм ар къыщехыр щIымахуэ шылэрщ. Бгылъэ щIыпIэхэмрэ псы ежэх уэрхэмрэ сэбэп яхуохъу а бзум и бийхэм зыщахъумэнымкIэ. КъуакIэбгыкIэхэр, бгъуэнщIагъхэр, уэххэр егъэлеяуэ я сэбэпщ абгъуэ щащIынымкIэ. ХъупIэхэм яшхын куэду щагъуэт. Апхуэдэ фIыгъуэхэр мы къуалэм «зыдигуэшыр» зы бий закъуэщ — новозеландскэ бгъэрщ. Какар жыгыщхьэрысщ, кеар щIылъэм нэхъ щызокIуэ. ТIури, адрей дыдыкъушхэм ещхьу, зэрыIыгъщ, ныбжьэгъухэри яфIэфIщ. ЗэзыдзэкIар ПщыхьэщIэ Хьэмзэтщ. Шхыныгъуэхэр Щэ дагъэкIэ гъэжьа лыр гъэтIылъыгъэ зэращIыр Былымылри, мэлылри, бжэнылри бгъэтIылъ хъунущ, лыпцIэу е къупщхьэ зэрыхэлъу. Лыр ятхьэщI, г 60-70 хъууэ яупщIатэ е зэпауд, шыгъу, шыбжий сыр хьэжа тракIутэ, фIыуэ зэIащIэри, дакъикъэ 20-30-кIэ щагъэт, шыгъур лым хыхьэн щхьэкIэ. ИтIанэ шыуаным щэ гъэвэжа иралъхьэ, пщтырагъыу градуси 160-170-рэ иIэу къагъэплъ, лы упщIэтар абы халъхьэ, зэIащIэурэ вэгъу плъыжь дахэ иIэ хъуху ягъажьэ. Лы жьар къыхахыжри, упщIыIуа нэужь, кхъуэщыным е дзэху пщалъэ куум иралъхьэ, зэрагъэжьа щэ дагъэр, лы Iыхьэхэр щIигъанэу, щIакIэ, и щхьэр фIыуэ ягъэбыдэжри, щIыIапIэ ягъэув. Апхуэдэу гъэжьа лыр зэмыкIуэкIыу мазищ-плIыкIэ щагъэт. Щашхынум деж зыхуейм хуэдиз къыхахри, кIэртIоф е бжьын щIэлъу ягъэжьэж. Ар щIыIэуи пщтыруи Iэнэм трагъэувэ. ПIастэ, чыржын, щIакхъуэ дашх. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): Лы цIынэу — грамм 400 Щэ гъэвэжауэ — грамми 150-рэ Шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз. ШатэкIэ гъэжьа кхъуей Кхъуей хахагъащIэ мышыур цIыкIу-цIыкIуу зэпаупщI, тебэм ит шатэм халъхьэри, мафIэ цIыкIу дыдэм тету дакъикъи 7-8-кIэ ягъажьэ. ДжэдыкIэ удам гуэдз хьэжыгъэ хакIутэри фIыуэ зэIауд, ар шатэ къэкъуалъэм хакIэри, зэIамыщIэу, мафIэ ешэхам тету, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 10-12-кIэ ягъажьэ. ПIастэ, щIакхъуэ, чыржын, мэжаджэ и гъусэу хуабэу яшх. Мышыумэ, шыгъу хадзэ. Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): Кхъуей цIынэу — грамм 80 Шатэу — грамми 100 Гуэдз хьэжыгъэу — грамми 4 ДжэдыкIэу — грамм 40. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. Хьэпшыр Рассказ Гъатхэ дыгъэм и бзий IэфIхэм, щIэщыгъуэхэм, псэр зыхуэлIахэм ящыщ зыIэрызгъэхьэн, зыхэзмыгъэкIыжу къыслъыс Iыхьэр къыIэщIэсхын мурад сиIэу, щхъуантIагъэрэ дахагъэкIэ гъэнщIа зыгъэпсэхупIэ паркым ит тетIысхьэпIэхэм ящыщ зым сыщетIысэхащ. Гъатхэмрэ лъагъуныгъэмрэ зэхэткIухьу зэрызэхэшыпсыхьыжар уи фIэщ зыщI щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я нэгум иплъагъуэрт моуэ гур къэзыгъэщIэрэщIэж гугъапIэ-хъуэпсапIэ кIапэлъапэхэр. куэдрэ нэхугъэ щIэбэгауэ, я нэхэр къэплъэжами ярейт. Зыгуэрым гурыбгъэIуэну, и акъылым нэпхусыну мытынш щхьэкIэ, гъэщIэгъуэн гуэрхэм псэр щыхэджэразэ, гъащIэм уи гур хуэзыгъэусэ макъамэхэмкIэ бзу цIыкIухэр къыщытхуэупсэ мыпхуэдэ зэманыр къызэрымыкIуэ нэкъыфIэщIым къыхэтэджыкIа жэнэт пэлъытэщ. Щхьэр зыдэуназэ, псэм и хъуэпсапIэ куэдым я лъагъуэм ухуезыджэ гупсысэхэр щхьэхуимыту гум щыпфIызэтрешэ, зищIыс дыдэри нэсу пхузэхэмыгъэкI нэхугъэ гуэрхэм уахуегъэпабгъэ. Апхуэдэ нэхуапIэ телъыджащэм си гур сфIыхэзэрыхьауэ сыздэщысым, си гупэкIэ къыщыт тетIысхьэпIэ бгъуфIэшхуэм пэгъунэгъуу щылъ хьэпшыр цIыкIур, зи цыпэр дыгъэм пэлыдыр, къэслъэгъуащ. Зи шхэни, зи джэгуни, зи къуейщIеини къезыхьэлIэу щхьэпридзыжу жея сабий гъэфIэн нэIурыт цIыкIу гуэр фIэкIа ар зэрыпщIэн щыIэтэкъым. И лъакъуэ кIэщI быртIымхэр щIэукъуэдиикIарэ, тIэкIуи хэпырхъыкIрэ жыпIэу, мы дуней псом щызекIуи щызежи абы и жейр яхъумэ фIэщIрэ игу тIасхъэ цIыкIур къыхэмыщту щылъщ. Абдежым си щхьэм щыкIэрэхъуа, щызэблэкIа гупсысэ зэхуэмыдэхэм жьгъеифэ къасфIытеуэжри, зэбгрыщэщыжащ, драпхъейуэ лъэныкъуэ куэдым дэгуэша хъуа фIэкIа умыщIэну. Иджы мы псэущхьэ цIыкIур плъапIэ схуэхъуащи, абы и гъащIэр, и дунейр зызогъэзахуэ, гукIэ зэIызопщIыкI: гъусэ иIэ хуэдэкъым, зеиншэ цIыкIу мыгъуэу арагъэнщ. Къыщхьэщыжыни къыкъуэмытмэ, дауэ? Сытым хуэдиз хьэшхуэжьхэр щызеуэрэ ихъуреягъым! ТегушхуэгъуафIэ ящIрэ къытелъэмэ… Къэзылъхуа, къыдалъхуа хуэдэхэр дэнэ щыIэу пIэрэ? Хьэмэрэ хьэм я хабзэр нэгъуэщI — дунейм къытехьамэ, адэкIэ езым и щхьэ ипIыжын, и псэ ихъумэжын хуейуэ ара? Ари сыту хабзэ гущIэгъуншэ. Армырауи сощIри, щхьэ и закъуэ къэнэнкIэ хъуа мыбы фIэкIа зи мыныбжь насыпыншэ цIыкIур? «Насыпыншэри» схьауэ щхьэ кIэрысцIэлърэ? Дэнэ щысщIэн сэ абы хуэдэхэм насыпу къалъытэр. ИтIани, мыпхуэдэу зеиншафэу сызэрыIууам щхьэкIэ ибэ хъурейуэ къысщохъу икIи сигу щIогъу, сытошыныхь и гъащIэм… Хьэуэ, а сэ сщIэри тэмэму къыщIэкIынукъым: нэхъыфIым еджэн хуейщ сыт щыгъуи. Мыбы и «Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ» гъунэгъуу щыIэщ, езы цIыкIур и щхьэзыфIэфIагъкIэ къаIэщIэкIауэ аркъудейщ. Псори зыгъафIэу къащхьэщыт, къатепсэ дыгъэм и Iумэтым итщ мыри, къехъумэ плъыр нэсу. Сэри си пащхьэм къилъ псэущхьэ цIыкIум си нэIэ тезмыгъэтын слъэкIыркъым. Зыгуэр теувэмэ жызоIэри, блэкI-къыблэкIыжхэм нэкIэ сагурыIуэурэ я лъабжьэмкIэ щыIэ жейнэд цIыкIум гу лъезгъэтэну сыхэтщ. Ауэрэ, сигу зыхуэмыгъуэ хьэпшыр цIыкIум нэхъри сытегужьеикI мэхъу. ГъуэгурыкIуэхэри хэти къызэтоувыIэри абы къопсалъэ, хэти, игу щIэгъу щIыкIэу, къодэхащIэ. КIыхьу зызыукъуэдияуэ щылъ цIыкIум псэ хэмытыж зыфIэщIхэри къахокI. А зигу щIэгъуахэр къыбгъэдолъадэри, и нэ цIыкIур IэпэкIэ къызэтрах, занщIэуи ягу къызэрыгъуэтыжауэ я гъуэгу тоувэж. Хьэпшырым езыми зэзэмызэ щхьэхынэ-щхьэхынэу и щхьэр къеIэт, и тхьэкIумабгъуэ кIэщI пIащIэхэр къресэ, занщIэуи зегъэукIуриижри, и жей IэфIым пещэж. МащIэ дыдэщ гулъытэншэу блэкIыр, уеблэмэ закъуэтIакъуэххэщ. Сэри хьэпшыр цIыкIур си нэIуасэ, зыгуэркIэ къызгухьэ, си Iыхьэгъу, къыфIэбгъэкIмэ, сысей дыдэ хуэдэу къысщыхъуащ. Сэ абы къедэхащIэ, къыхуэгумащIэ псоми фIыщIэ яхуэсщI щIыкIэу, нэкIэ сащогуфIыкI. ИтIани, сщIэркъым, си лъэр зыгуэрым дэнами ярейуэ, сыкъэтэджу гъунэгъу зыхуэсщIын, седэхэщIэн, сеубзэрэбзэн езмыкущэу, сыплъэу сыщысщ. Нэхъ сфIэкъабылщ сымыгъэпIейтеймэ, и жейр схъумэмэ. Сытемыгушхуапэурэ, и нэ угъурлыхэм зэ сащIэплъэну, иц щабэ дахэ цIыкIухэм Iэ дэслъэну зыщызгъэхьэзыр дакъикъэм къэхъуам ущIэмыупщIэ. МетритIым нэс зи кIыхьагъын хъыджэбз зэIэщIэлъышхуэ напщIэуфэ-зэхэуфа гуэр къэсри, си гъэфIэн цIыкIум и тхьэкIумэ лъэныкъуэм теуващ, и туфлъэ лъэдакъэ папцIэр хиукIэу. Абдежым зызэрысщIынумрэ мо тхьэмыщкIэ цIыкIум хуэсщIэфынумрэ зэпэсшэчыхущ пIалъэу иIар гур икъутэу хьэ пщIэу макъ къэIуным. Гулъытэншэ, гудзакъэншэ хъыджэбзым къыIэщIэщIамкIэ игъэкъуэншэн къилъыхъуэ щIыкIэу кIуэцIрокI, ищIам зыкIи иримыгумэщIу. КIуэцIрокI, нэхъ хуабжь зищIарэ псэущхьэ хей цIыкIум и тхьэкIумэр зэрыпхиуда и вакъэм дуней псор къигъэпсалъэрэ жыпIэу, и макъым езы дыдэри шэчыгъуей щIэхъукIыу. Ихъуреягъыр къызэхуэсащи, хьэ цIыкIум и гуIэгъуэм, насыпыншагъэм ирогузавэ, ягу щIогъу. Ауэ зыми зыри хуищIэфыркъым. Зыри зыбгъэдигъэхьэркъым, зригъэкIуалIэркъым. Къыщохъу цIыхуу щыIэр зэрыщыгугъауэ къыхущIэмыкIауэ, псоми лей къытрагъэхьэну. Къытеувэу зыгъэгу- Iар къилъыхъуэ щIыкIэу, хъурейуэ къежыхь. ИтIанэ и икIа цIыкIумкIэ пщIэууэ щIопхъуэри, и занщIэр и гъуэгуу мажэ, гуныкъуэгъуэм зэщIиIулIарэ уIэгъэм игъэгызу. Мажэ, къемыплъэкIыу. Къызэхуэсахэри зэбгрокIыж, я гур къутауэ. А псор зи нэгу щIэкIа сэ сыщытщ, си гур къузауэ, си лъэр къапхъэным дэнам ещхьу, схузэблэмыхыу. Сытми, хуэмурэ зыкъызощIэжри, сыкъыщиуду сыгъын хьэзыру, хьэпшыр цIыкIум къытепсыха насыпыншагъэмкIэ си щхьэм къуаншагъэрэ мыгъуагъэрэ хуэсхьыжу, паркым сыкъокIыж. ГуэгушыхъукIэу къытхуигъэбырыбу дыгъэм зыкъызэрытхуигъэщIэгъуа и бзий дыщафэхэм я зы кIапи бгъуэтмэ, къащтэ. Дыгъэр тегушхуэгъуафIэ зыщIа, къуэзылъэфа пшэжьхэм дунейр къыттрагъэункIыфIэу я гур къыттезэгъами ярейуэ, нэхугъэр лъэныкъуэ ирагъэзри, уафэ псор пагэу зэщIаубыдащ. Сэ сыздэкIуэм уафэхъуэпскIымрэ уафэгъуагъуэмрэ я макъым къыхэIукIыу къысфIощI хьэпшыр насыпыншэ цIыкIум и гуIэ макъыр, куэдрэ си тхьэкIумэм имыкIар. Жамбэч Рабия. 2-нэ классым щIэс Цэлий Камилэ цIыкIу фIыуэ йоджэ, сурэт зытригъэхынуи фIэфI дыдэщ. ЦIыхушхуэхэм жаIахэр ЩIыхьыр зи IэмыщIэ илъыр лэжьыгъэрщ Лэжьыгъэм лъагъуныгъэрэ бгъэдыхьэкIэрэ хузиIэ цIыхур лъэпощхьэпо ирихьэлIэркъым. Бетховен Людвиг. Тыншу зыIэрыбгъэхьэ ехъулIэныгъэм и уасэр мащIэщ. Абыхэм ящыщу узэрыгушхуэ хъунур нэхъ гугъу узыдехьаращ. Бичер Генри. Зи пэщIэдзэр мыхъумыщIэм и кIэухри щIагъуэкъым. Еврипид. ЕхъулIэныгъэ иныр къызыпэкIуэр фIыуэ убзыхуа, гугъу зыдехьа цIыкIуфэкIущ. Ключевский Василий. ЩIыхьыр зи IэмыщIэ илъыр лэжьыгъэрщ. Леонардо да Винчи. ЦIыхум къыпхуищIа фIым и уасэ щептым и деж а хьэлыр къеIыпхыу аращ. Шамфор Николя. Хахуагъэр — зауэм, Iущагъыр — губжьым, ныбжьэгъугъэр дэхуэхыным къыщIагъэщ. Аль-Харизи. Псоми я ныбжьэгъур зыми и ныбжьэгъукъым. Аристотель. Гупсысэр – псалъэкIэ Далай-Ламагу зылъитахэр Ди унэхэр кIуэ пэтми нэхъ ин, ауэ унагъуэм исхэр нэхъ мащIэ мэхъу. Ди псэукIэр нэхъ тынш, ауэ ди зэманыр нэхъ тхуримыкъу мэхъу. ЩIэныгъэлIхэр нэхъыбэ хъуми, гупсысэ убзыхуам дыхуэхейщ. IэщIагъэлIхэр нэхъыбэ хъу щхьэкIэ, гугъуехьу къыкъуэкIыр мэбагъуэ. Хущхъуэхэр нэхъыбэу къожьэ, ауэ узыншагъэр нэхъ йокIакIуэ. Гъуэгушхуэ зэпытчащ, уеблэмэ хьэршми дынэсри къэдгъэзэжащ, ауэ гъуэгур зэпыдупщIу ди гъунэгъум и деж дыщIыхьэжыфыркъым. Iэмал куэд къыдэзыт компьютерыр къэдгупсысащ, ауэ цIыхуитI гуапэу зэIущIэу зэбгъэдэсыжыфыркъым. И куэдагъымкIэ япэ дища щхьэкIэ, и фIагъымкIэ иужь дыкъонэ. ЦIыхухэм я лъагагъым нэхърэ яхэлъ гъэсэныгъэр нэхъ лъахъшэщ. Хэхъуэр куэд хъуа щхьэкIэ, зэхущытыкIэр мыхьэнэншэ мэхъу. Дызэрыт зэманым: щхьэгъубжэм удэплърэ плъагъур куэд щхьэкIэ, пэшым зыри щIэлъкъым. Дыщалъхуа щIыналъэм Къуэбыдэ уэсым щIихъумащ. Чэнджэщхэр Пэжми жыIэгъуэ иIэщ Уи псэр хэлъхьи, уи бзэр къегъэл. ГъащIэм дэмыхъуж хабзэр и чэзум хъуэжын хуейщ. Лъагъуныгъэ жыхуаIэм цIыху куэдым я гъащIэр зэIещIэ: зым лъэхъу хуохъури, гъащIэм и гуфIэм щегъащIэ, адрейм дамэу къытокIэри, уафэгум дрехьей. Насыпыр цIыхум куэдрэ къеуалIэркъым, къыпхуэкIуамэ, пхъумэн хуейщ. Пэжми жыIэгъуэ иIэщ. ГубэщIыкI Владимир. Псалъэзэблэдз ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. Шэдылъэхэм трещIэ, щхъуантIэ хъужауэ. 14. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректору щыта. 15. БегъымбарыцIэ, цIыхухъуцIэ. 16. Муслъымэн диным пшхы мыхъуну къилъытэ ерыскъы. 17. ПамыупщIу гъэ техьа удз. 18. Зи жылэхэр кърахыу шыгъулъэ папщIэу е нэгъуэщI шхынхэлъхьэ щахъумэу къагъэсэбэпу щыта къэб лIэужьыгъуэ. 19. Ди лъэпкъэгъу, Къэрал Думэм и депутат. 20. Бжэныфэм къыхащIыкI Iуданэ. 21. ГъущIхэкI лIэужьыгъуэ дахэ, дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэу. 22. Гъавэ кърахьэлIэжам щыщу псапэу хатыкI Iыхьэ. 23. Адыгэ уэрэджыIакIуэ, музтеатрым и лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист. 24. Пасэрей фоч лIэужьыгъуэ. 25. Бгырыпхыщхьэ. 26. ФIы зигу къыпхуимылъ, фIыуэ укъэзымылъагъу. 27. Зи ныбэр къежьа, лы лей зытелъ. 28. Ху къызыщIаIукI къэкIыгъэ. 29. Пхъэщхьэмыщхьэ. 30. Унэ яухуар зыхуей щыхуагъазэкIэ, щагъэдахэкIэ къагъэсэбэп ткIуаткIуэ. 31. Iэщ цIыкIу егъэзыпIэ. 32. Хьэфэ … 33. ЛIы ефам и … макъым щхьэгъусэр жэщым игъэжеякъым. 34. Курыт Азием хиубыдэ къэралыгъуэхэм я Iэтащхьэм зэреджэу щыта. 35. ЛэжьапIэм сыкъыкIэрыхуати, унафэщIыр … зэхэукIакIэ къызэплъащ. 36. ЩэкI кIапэ. 37. УсакIуэ Къэжэр Петр зи япэ унафэщIу щыта, адыгэ сабийхэм папщIэ къыдэкI журнал. 38. Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр. 39. Адыгэ къуажэшхуэ. 40. Псы Iуфэ лъагэ. 41. ЩыпсалъэкIэ зэIынэ. 42. УрысыбзэкIэ тхэуэ щыта адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ … Иннэ. 43. … теха нэужь, къэбыр IэфI мэхъу. 44. ЕуэкIыпIэ. 45. Джэдкъаз гъуэлъхьэжа. 46. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ гъуэзэджэу щыта, РСФСР-м и цIыхубэ артист. И кумкIэ кIуэуэ: 1. Жэм Iус. 2. ХадэхэкI. 3. Унагъуэм ягъэхьэзыра, ягъэщэба щIы Iыхьэ. 4. Хьэжыгъэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэ. 5. ЦIэрыIуэ хъуа, Мэремыкъуэ Хъусен игъэзащIэ «Адыгэ нэмыс» уэрэдым и псалъэхэр зи IэдакъэщIэкI, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ адыгэ усакIуэ. 6. Дыгъужьыр бэлацэу къызыщыхъу хьэкIэкхъуэкIэ, фор зыфIэфI. 7. Къуаншагъэ зылэжьа цIыху. 8. ЦIыху акъылыфIэ. 9. ЦIыху яубэрэжьам е мылгъурыджейм игъэджэлам и Iэпкълъэпкъым къытенэ фэбжь. 10. Нартхэм я гъукIэ. 11. … Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ. 12. Махъсымэ щытам и лъабжьэм къыщIо- нэ. Гу зылъытапхъэ: ихъуреягъкIэ къэзыкIухь псалъэхэм зым и кIэухыр къыкIэлъыкIуэм и щIэдзапIэщ. Щапхъэ: джэд — дэп — пыжь. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Мазаем и 9-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 7. Мэрзэхъу. 8. Хьэжмэт. 10. Амдэч. 11. Жэгундэ. 13. Пхъампэ. 16. Шурылъэс. 19. Балъкъ. 20. Удын. 21. Елэн. 23. Джанэ. 26. Хьэкъурт. 27. Кхъузанэ. 28. Ержыб. 31. Даур. 32. Лэпс. 33. Убых. 35. Шэнт. 36. ТешанкIэ. 41. Духьэшы. 43. Щхьэмыж. 45. Мурси. 46. Нэбжьыц. 47. ПкIэлъей. Къехыу: 1. Гур. 2. Фэнд. 3. ХъымпIар. 4. Пщэдэлъ. 5. КIэпхъ. 6. Къум. 7. Мыжэ. 9. Тхьэв. 12. Нэпкъ. 14. Арму. 15. Мастэпэбдз. 16. Шылэ. 17. Санэ. 18. Шыпсыранэ. 22. Назир. 23. Дженал. 24. Гъурц. 25. Къру. 29. Саут. 30. IупщIэ. 34. Хахуэ. 35. Шатэ. 37. Шыцуэс. 37. Нэпсей. 39. Къудан. 40. Бжей. 42. Шхын. 44. ХьэкIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25215.txt" }
КъигъэIурыщIэ и гугъэжу мы дунейр, Илъагъуу хъуам цIыхугур хуонэпсей Уэрэзей Афлик «Адыгэ псалъэ» Псалъэ, псалъэ, си «Адыгэ псалъэ», ЗэхуэтIуатэу тIуми ди мурад, Ди гур пэщыхункIэ дыгъэпсалъэ, Уэрэ сэрэ зэжетIэн ди куэдщ. Дэ ди куэдщ ди тхыдэр. Ди къэкIуэнум Тхыдэращ хуэхъунур щIэгъэкъуэн. ЩIэблэр зэман псоми ирекIуну Ди лъэпкъыжь и хабзэр ирикъунщ. Псэм ещIэжыр сымылъэгъуа тхыдэр, Гур холъадэ тхыдэм и пщэдейм. Си адыгэ псалъэр Iумэ уардэу, ЩIэщыгъуэнущ кIэншэу мы дунейр. Мы дунейм къобэкIыр залымыгъэр, ЛIыгъэр къызэбэкIыр хъуркъым куэд. ЦIыхум къемэщIэкIмэ цIыхугъэр, Лъэпкъхэр щIы хъурейм щызэфIокIуэд. Хэку гъуэгужьым хуиту къыщыткIухьу, Хуиту дыдэтыжу ди хьэблэжь, Хьэуа къабзэр ди бзэм къыхэткIухьу Дыпсэуну псоми къыдолэжь… Дыгъэпсалъэ тIэкIу, «Адыгэ псалъэ», ПщIэншэрыпсалъэ мыхъуу къэтпсэлъар. Тхъумэжыну ди бзэм и пшыналъэр Ди адэжь щIэину къытлъысащ. Адыгэ Уи лъэпкъ гъэжэщIу, укъигъаскIэу Лъыгъажэ макъкIэ бийр къыщыбгэм, УIэгъэр птхьэщIти тенджызыпскIэ, Аргуэру уитIысхьэжырт шыбгым. Уагъэухуакъым уни лъапси, Урагъэджакъым хуиту тхылъым. ИтIани, зыми уемыхъуапсэу, Упсэут, пагагъэр хэту уи лъым. Гъунэгъу-жэрэгъухэр къыплъришэрт, УраIэ защIэт гупсысапIэу. Уи тхыдэ гъуэгури нашэкъашэт, МыгурыIуэгъуэу къэгъэшыпIэр. ЩIэлэжьыкIыхукIэ уи шым налыр, Къыумыгъэлалэт шыныбэпхыр. Арат бгъуэтыжри Iэмалу, Аргуэру щIэпкъузэжырт уи бгыр….. ИрамыгъэщIу хэку, унагъуэ, КърамыгъэкIыу зэи шыбгым, И бгыр щIикъузэурэ, бгы псыгъуэ ЩIэхъуар аратэкъэ адыгэр? ХытIыгу жыжьэ Къыхыхьэу куэдрэ си псысэм, КъыщIыхьэу Iэджэрэ си нэгу, Гъунэншэ хым и курыкупсэм КъыхонэIукIыр зы хытIыгу. ХытIыгум ухуэзышэ лъагъуэр Къэзыгъуэтыфыр зым и пэбжщ: Ар телъщи псым нэрымылъагъуу, Зи гур хьэлэлым къыподжэж. Къыппэджэжамэ джэрпэджэжу, Пхуэхъунущ лъагъуэр насып гъуэгу, ХытIыгум зэIуихынущ куэбжэр, Гуапагъэ къищмэ уи нэгу. Абы щацIыхукъым фыгъуэ-ижэр, Iужажэм ар яхуэхъукъым гъуэгу, ЦIыху гъащIэр щижкъым вагъуэижу, Дунейм щимыгъэнщIауэ игу. Псым тетщ щэнауэу кхъуафэжьейхэр, Уэрэд хур пщащэхэм къраш. Уэрэдым псым къыхиш бдзэжьейхэм Псы щхъуантIэ щIыIум удж щыхаш. Щызэшкъым цIыху мыбы, щезэшкъым, Щымыщтэ зыми къуалэбзур. Дыжьын жьгъей макъым и тхьэгъушкъым Нэхущ пшыналъэр зыгъэзур: КъуэкIыпIэ пшэплъым и лъэ макъыр ХуэщабэрыкIуэу зи даущ, Уэрэд нэщхъыфIэм и макъамэм Пщэдджыжь уэрамыр къыдоуш… А хытIыгу жыжьэм и щIыгулъым ПIастэмэ IэфIыр хобэукI. Гъатхэпэм гъунэ гъэм хуралъэу, Я вагъэбдзумэр щогъуэлъыкI… А хытIыгу жыжьэр хэтщ си псысэм: Зэгуэр Хы фIыцIэм адыгэпсэу ЗыIэщIилъхьахэр а хытIыгум Щызэхуэсыжри, щIэрыпсу Щаухуэжащ адыгэ жьэгур. Гупсысэм сигъэбакъуэркъым Зыгуэр щысIэщIэкIыу мы гъащIэм КъысфIощIри, сыкъогумащIэ. ЦIыхугъэр къысIэщIэмащIэм, Сыт зищIысыжыр гурыщIэр? ХущощIэ зыгуэр мы си псэри, Гупсысэм симыгъэбакъуэ, Къызогупсысыр си псысэри, СыщIодэIужыр си закъуэ. Си напIэхэр зэтызолъхьэри, Таурыхъыр къызэхызолъхьэ. ХъуэпсапIэм и куэщI сотIысхьэри, ГугъапIэм сыныхотIысхьэ… Таурыхъым и хъупIэ щхъуантIэхэр Щхъухьпсыхьым имыгъэхуалэ. Дыгъэшхуэм бзий псыгъуэ лантIэкIэ Жыг щхьэкIэр къызэщIегъаблэ. Махуэл щIыдамых зэманкъэ мыр? ЗыщIыпIи самыгъэпIащIэ. Гурыщхъуэр зищIысыр сщIэркъыми, Гуузым симыгъэхыщIэ. Лэгъунэм щIохьэж нысащIэри, Уэздыгъэр къызэщIегъанэ. Насып къэкIуэнум Iуплъэнущи, Сэхусэплъыр зыхелъхьэ мащIэу… ХущощIэ зыгуэр мы си псэри, Гупсысэм симыгъэбакъуэ. Къызогупсысыр си псысэри, СыщIодэIужыр си закъуэ… Адыгэ уэрэдыжьхэр 1. ИпщэкIэрэ сыныдэплъеймэ, КъухьэпIэр пшагъуэ гуэрэнкъэ. ИщхъэрэкIэ сыкъеплъыхыжмэ, КъуэкIыпIэр пшэ фIыцIэ блынкъэ. ИщхьэмкIэ сыдэплъеинут, уей, Шынагъуэу сегъэгупсысэ. ИлъабжьэмкIэ сеплъыхыжынут, уей, Си напэм къысхуимытIасэ. Къызэхэсплъыхьмэ хъуреягъыр, Ныбжь гуэрхэр щызэхэзоуэ. Сэшхуэдзэхэм я макъыжь жагъуэр ЗыщIыпIэ щызэщIожьууэ. Зауаем хуагъэпса псэхэм, уей, КъызэщIагъаплъэрэ хьэуар, ШкIурэжу ежэха псыхэр, уей, Дыгъужь нэщIауэрэ къиуащ. Бгы жьэгъужьхэм щагъауэ топхэр, Топ уэ макъхэр аузхэм щоIу. Нэхъуеиншэу сыIэбэ пэтми, Щызгъуэтыжкъым зыщIыпIэ мэIу. ЗгъэIунут си уэрэдыжьри, уей, Зы цIыхуи къемыдэIуэжрэ. Пшыналъэу дунейр зи ныбжьри, уей, ЗыщIыпIи щамыгъэIужрэ. Лъыгъажэр зи гъуэгугъэлъагъуэхэм Я лъагъуэр лъакъуапIэ защIэщ, Мазэгъуэр зи жэщ шынагъуэхэм Мазэхэр я насып тIуащIэщ. Лъыгъажэм ухуэIэижьмэ, уей, Уи гъуэгур нэпс-лъыпс зэхэлъкъэ. Сэрмахуэ, мы дунеижьмэ, уей, И набжьэм зыгуэрхэр щIэлъкъэ. Адыгэм сыкъеджэжынути, Си макъыр дэнкIэ згъэзэну? Адыгэр къэслъыхъуэжынути, ДэнэкIэ къыщыщIэздзэну?.. ИпщэкIэ сыдэплъеинути, уей, КъухьэпIэр пшагъуэ гуэрэнкъэ. ИщхъэрэкIэ сеплъыхыжынути, уей, КъуэкIыпIэр пшэ фIыцIэ блынкъэ. 2. И пшыналъэ егъэIуж дэтхэнэ зыми, ЗэрыIэпихым хуэдэу и псэм, и гум. Пщэдджыжь макъамэр схузэхелъхьэ бзуми, Дзапэ уэрэду трелъхьэж си гъуэгум. СошэщIыр, сымыпIащIэу, а пшыналъэр, Уэрэдым щIэзгъэдэIуу адыгэщIыр, Хы Iуфэм толъкъун фIыцIэр къыщыспоплъэ, Макъамэр щигъэIуну адрыщIым. Къыщелъэтыхьыр бзуми хы гущIыIум, КъыщIэдэIужу зэхилъхьа пшыналъэм, ХуеплъэкIыжрэ и тхыдэ гуемыIум, Хы Iуфэм къыщилъыхъуэу нэпс гъэжалъэ. Нэпс гъэжалъэ яфIэхъуати псэр, Гъыбзэт иусыфыр гум и лъащIэм, Тенджызми нэпскIэ зэхищIати псыр, Толъкъуныр хуэмыпIащIэт адрыщIым. Зэманыр макIуэ, къэувыIэ имыщIэу, Адыгэр къэсыжыным поплъэ губгъуэр, Бзу цIыкIум зэхеплъыхьри хьэсэ нэщIыр, Егъэзэж бгы жьэгъум щищIа абгъуэм. Абгъуэм къыщыпоплъэ бзум и шырхэр, Я унэжь исыжщи къэмыланджэу. Толъкъунри нэщхъыфIабзэу мэуэршэрыр, Толъэдэжри и хэкужь и ныджэм. Псэр щынасыпыфIэр адэжь лъахэрщ, IэфIу гур къыщеуэр и жьэгужьщ. Бэлыхь Iэджэу лъэпкъ нэгум щIэлъахэр КъысхуэзыIуэтэжыр уэрэдыжьщ. 3. Макъамэр шэщIащ. IуигъэкIуэтри зэманыр, Макъамэр сэшхуэдзэу зууащ. УIэгъэ мыхъуж — ЗыхэткIухьым шыгъу кIанэ И гъыбзэу уэрэдыр къиуащ. КъыщIохьэхэр бжэмкIэ, КъыдокIхэр щхьэгъубжэм. Шууейхэр си унэм щIэз мэхъу. Сабаем иуахэу, Лъыкъуалэр къапыжу, КъысфIощIыр сэ ахэр къыслъыхъу. МэтIысхэр. Я Iэщэр ялъэщI, зэщIалъыкIыр. Гынымэм пIастэмэр хоткIухь. ПщIантIэшхуэм шы щыщхэм я макъ къыдэIукIым И гъунэр хьэ къугъхэм къакIухь. — Зыхэфхрэ хьэ къугъхэр? Фыщыс фымыпIащIэу, Си унэр фхуэхъунущ хьэщIэщ. — АтIэ, зэхыдохыр: Хъыбар къыдагъащIэу, Шагъдий тхуэзэшахэр къощыщ. Шууейхэр щIокIыжыр: Шууейхэр зэманым И гъуэзым уэрэду хожыхь… Зыгуэрым щышынэу, зыгуэрым ебэну Хьэ щтам ди пщIантIэшхуэр къежыхь. Iуащхьэжь Уэшхыпс къиуам пщэдджыжь уэсэпсу ЛъакъуапIэр щIым трелъэсыкI. БлэкIар къэкIуэнум хэлъщи къуэпсу, Щхьэ къупщхьэр щIым къыщIопсэлъыкI. Мыбдеж телъащ гу лъэужь Iэджэ, ЛIыфI Iэджэм щакъутащ я бжыкI. ЛIыфI я лIыфIыжыр и псэм еджэу Щытелъми махуэр къыпабжыкI. Ар къыпебжыкIыр ит зэманым, КъэкIуэнур гугъэкIэ зэхэлъщ. Мурад ищIахэр щымыиным, ЦIыху цIыкIум щIэтыр тхьэмыщкIэлъщ. Зэгуэр мы Iуащхьэм, мы Iуащхьэжьым ЩыщIалъхьэжащ гугъапIэ куэд. ТекIуэдыкIами я лъэужьыр, Я ныбжьыр нобэми мыкIуэд. МэкIуэщIыр уэшхыр. Махуэр макIуэ, Удз ятIагъуафэм зыкъещIэж. Абы и бзийхэр IэкIуэлъакIуэу Дыгъэ нэбзийхэм ялъэщIыж. СыдокIыр Iуащхьэм. Си лъакъуапIэм Къегъанэр тыншу си лъэужь, ЛакъуапIэм илъу си губампIэр Къыпхузогъанэ, си Iуащхьэжь. Зэман къэкIуэнум сриджауэ, Сэ къыспэщылъми гъуэгу куэд, Къешхынущ куэдрэ уэшх иджыри, ИрилъэсыкIыу си мурад. ИмыщIэу си псэр щIэныкъуакъуэр, ИмыщIэу къеныкъуэкъур сигу, ЩызэфIидзэнущ лэгъупыкъум И лэгъупыIэмпIэр уафэ жьэгу… Мыбдеж, мы Iуащхьэм, мы Iуащхьэжьым ЩыщIалъхьэжами гугъэ куэд, ХъуэпсапIэр ахэм я Iэужьщи, СыщигъэщIэнукъым мурад. Жыгей Пшагъуэ Iувыр тогъуалъхьэ Къуажэ бжьэпэм и натIэм. Лъапэрисэу уэсэпсыр Жьым си хадэм щыхесэ. Гъатхэр къэсым уэсэпсыр КъэкIыжыну удз щхъуантIэу? — ТIэкIу пасэIуэу къэсащ, ТIэкIу пасэIуэу къэсащ бжьыхьэ кIасэр. ГъущI гъуэлъыпIэм и натIэм Езгъэкъуауэ си натIэр, Пэш щIыIэм сыщIэсщ, Зы даущ тезгъуэтэжкъым дунейм. ЗэIухащ си щхьэгъубжэр, Псэ щыдымыркъым пщIантIэм, Уэрам хэжеяр ЦIыхуу хъуам ябгынами ярейщ. Зы бэджыхъ, щыгъэ щIыкIэу, Тхьэмпэ закъуэ хуэгъуэжьу, — Аращ къыпынар Си бжэIупэр зыхъумэ жыгейм. А жыгейми, яIуатэ Дунеижьыр и ныбжьу, Аращ а жыгейм ЩIимыщIари игъащIэм гужьей. Къуэпсхэр куууэ хэкIами СщIэркъым. Зыми имыщIэ Жыгеижьым и нэгум Бэлыхьу щIэкIар сыт хуэдиз. Уэшхи уэси къытесэу, Дыгъэ бзийр къедэхащIэу Лъэдий япсыхьар Шылъэгуфэм кIуэцIылъу мэгыз. Дауэдапщэр ещIэжыр, Хьэдагъэу жылэм дэлъар ЕщIэжыр абы. Жыгым псори фIы дыдэу ещIэж. БзэмыIу хъуанэр ягъэIуу, Джатэ къуаншэкIэ далъэу И нэгу щIэжыхьа зы теплъэгъуэ лъэдийм къыхощыж. Си адэшхуэр сабийуэ Жыгым и щхьэкIэм фIэсащ. Жыгым фIы дыдэу си адэшхуэм и адэр ещIэж. Зы къудамэкъым, тIукъым Щыблэм и мафIэм фIисар. ИтIани жыгым ЖыгеищIэ ерыщхэр къыщIож. Сыкъеджэф сызэрыхъурэ Солъыхъуэри згъуэткъым, си лъэпкъ, Уи тхыдэм и пэж, И блэкIар къизджыкIыну зы тхылъ. ИщIакъым гущIэгъу, Игу къэкIакъым уи бийм гущIэгъу лъэпкъ, Уи тхыдэм и гъусэу Щигъажэм уи тхыбзэми илъ. Соплъэр щыму, сыщIоплъ, Гупсысэр топлъызэ жыгейм. Пшагъуэр щхьэщытщ, Пшагъуэр гъуэзу гупсысэм щхьэщытщ. Къэпсэлъамэ арат, Къэпсэлъамэ, къедаIуэу дунейр, Уи тхыдэм, си хэку, техъуэфынут щыхьэт а жыгейр. И къудамэм щхьэхынэу Къощэтэх кIагъэпшагъэр. Жыг къуэпсхэр ешащ, ВытIощыщIэу щIы щхьэфэм къыхопщ… Сыт и гугъэр мы бжьыхьэм, Сыт мы бжьыхьэм и гугъэр? Жыг щхьэкIэм зы къуаргъ Гугъэ IэфIыр и пщIыхьу щыхопщ. Щымщ щIы хъурейр. Тощэтыжыр хуэм-хуэмурэ пшагъуэр. Жыгейр зэрыщымщ, МэжэлIауэ къуаргъыжьыр мэкIий. ДзыхьщIыгъуэджэурэ пшагъуэм Къызэпхоплъ дыгъэ фагъуэр. Жыгейр зэрыщымщ. Ар ерыщу иджыри докIей. ЩIыр мэкIэрахъуэ Зегъэкъэбзэжыфыр псым езыр-езыру, Уэгъу нэужьми къокIыжыф къэкIыгъэр, Уэлбанэр икIмэ, дунейм зеукъэбзыжри, Аргуэру къытопсэжыр щIылъэм дыгъэр. ЗэгурыIуэжу зэдокIуэкI дунейр, Зэхамыдзыжу — мыр ууейщ, сысейщ. А псори зришэкIрэ къришэкIыу ЩIыр мэкIэрахъуэ, жагъын къыхимыгъэкIыу. КъыщIокIыр мазэр зэм мазэхэу, зэм мазэгъуэу, КъотIысхьэ жэщ къэсыхукIэ уафэм вагъуэр, Иредыгъэпс дунейр е ирепшагъуэ, МахуэщIэ къэс дыIуощIэ тфIэщIэщыгъуэу. ЦIыху цIыкIуми къыщекIухьыр ЩIы хъурейм, КъыфIэщIыжауэ псори езым ей. КъигъэIурыщIэ и гугъэжу мы дунейр, Илъагъуу хъуам цIыхугур хуонэпсей. Зэрахабзэу, уэшхыр къошхыр, уэсыр къос, Мы гупсысэм сегъэхыщIэр махуэ къэс: Дэ дытемытуи ЩIыр кIэрэхъуэфынущ, ЩIыр мыкIэрахъуэу, дэ дытетыфыну?!. Лъагъуныгъэ Пщащэр мэIущащэ, мэIущащэ, Хэщыпыхьурэ, къелъыхъу псалъэ нэхъыфI, Къигъуэтами, псалъэ IэфIхэр пщащэм, Темыгушхуэ — зыри жимыIэф. Хьэщыкъ зыщIа щIалэм фIитхьэкъупэ и нэр, НапIэр ирехьэхри, егъэпщкIуж, Ауэ напэр фIэсу къызэщIэнэ НэкIущхьитIыр хуэмыгъэункIыфIыж. И укIытэм щыукIытэж нэхъей, Iэнкун пщащэм соплъри, согупсыс: КъызэрытхуигъэщIрэ мы дунейр ЩIыр зэтезыIыгъэр цIыху нэмысщ. Зи нэмысым щIэхъукIыжыр тхьэIухуд Ди къэкIуэнум жылапхъэу хухах… Щауэми къегъуэтыр псалъэфI куэд, Ауэ нэхъ зыхуейр къыхухэмых. Гумрэ гумрэ щэхуу щызэрыщIэм, Псалъэ псори зэуэ мэхъур лей. НыбжьыщIитIым соплъри зыхызощIэ: Иджыри кIэрэхъуэнущ ЩIы хъурейр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25221.txt" }
Адыгэхэр (шэрджэсхэр) КъунейтIрэ щыIэ Франджы къэралыгъуэм и къулыкъу хэгъэщхьэхукIахэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэ Япэрей дунейпсо зауэм и Iэужьу 1918 гъэм Уэсмэн пащтыхьыгъуэр лъэлъэжа нэужь, Щам щIыналъэшхуэр Инджылызымрэ Франджымрэ зэхуагуэшри, нобэ СириекIэ зэджэ къэралыр Франджым и унафэм щIэт щIыпIэ щхьэхуимыт хъуащ. А зэманым хуозэ франджы къулыкъу хэгъэщхьэхукIахэм КъунейтIрэ и Iэшэлъашэм ис адыгэхэр зищIысыр зрагъэщIэн папщIэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэр. 1935 гъэм фокIадэм и 15-м франджыбзэкIэ дунейм къытехьа тхыгъэ гъэщIэгъуэным иджы адыгэбзэкIэ дыкъеджэну Iэмал диIэщ Сирием къикIыжу Хэкум къэIэпхъуэжа, Париж дэт Сорбоннэ университетыр къэзыуха, филологием и доктор Бэтокъуэ Нияз и фIыгъэкIэ. Франджы дзэ унафэщIхэм ябгъэдэсщ Сирием и лIыхъужь Анзор Джэуад. 1945 гъэ ЯПЭ IЫХЬЭ Географие теплъэгъуэ гъэкIэщIа Кавказ тIуащIэ зэпылъыпIэм Адыгэ ЩIыналъэкIэ йоджэ. Абы КъухьэпIэмкIэ Тэман хытIыгум деж къыщыщIедзэ, къуэкIыпIэмкIэ Каспий хым, Апшерон хытIыгум нэс зеукъуэдий. Нобэ Адыгэ ЩIыналъэкIэ зэджэ «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтым» пасэ зэманым адыгэхэр щыпсэуащ. А щIыналъэм хы ФIыцIэ Iуфэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ Ингур псыр къыщыхэхуэжым щыщIэдзауэ ищхъэрэкIэ — Керчь Iузэвым нэс зеукъуэдий. КъаблэмкIэ (ипщэмкIэ) Каспий хы Iуфэм Гум псыр щыхэхуэжым щыщIэдзауэ Апшерон хытIыгум нос. Ингур псым и къыщIэжыпIэм щыщIадзэри, Кавказ къуршхэм Кавказ щIыналъэр ягуэш: ИщхъэрэкIэ — Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтыр; ИпщэкIэ (къаблэмкIэ) Кавказ Ипщэ щIыналъэр; ИщхъэрэкIэ «Кавказ ЩIыналъэ Зэкъуэтым» Урысейр гъунапкъэ къыщыхуохъу Псыжьрэ Гумрэ я деж. Кавказ къуршхэм я нэхъыщхьэхэм хабжэ Iуащхьэмахуэрэ (м 5630-рэ) Къазбэчрэ (м 5045-рэ). Псыежэх нэхъыщхьэхэр Псыжьрэ Тэрчрэщ. Псыжь и къыщIэ- жыпIэр Iуащхьэмахуэщ. Тэрч и къыщIэжыпIэр Къазбэчщ. Псыжь и Iыхьэ куэдым кхъухьжьейкIэ ущызекIуэфынущ. Кавказ къуршхэр мыл бгышхуэхэмкIэ гъэнщIащ. КъищынэмыщIауэ, лъагапIэхэм гуэл куэдым ущрохьэлIэ. ЩIыуэпсыр Кавказ щIыналъэхэм я щIыпIэхэм щIыуэпсым и щытыкIэр щызэтехуэркъым. Я нэхъыбэм «континентальнэкIэ» зэджэ щIыуэпсыр щызокIуэ. Ауэ хы ФIыцIэ Iуфэм къыбгъурылъ щIыпIэхэм ЩIыкурытыхым (Средиземнэ хым) и щIыуэпсыр щытепщэщ. ЩIым и хъугъуэфIыгъуэхэр Кавказым и щIы щIагъри щIы щхьэфэри хъугъуэфIыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къулейщ. Километр щэ бжыгъэкIэ зызыукъуэдий бгъуэнщIагъхэм уарохьэлIэ. Хы ФIыцIэм пэгъунэгъу щIыналъэхэр мэзым щIигъэнащ. Уэздыгъей мэзхэм къадэкIуэу, ЩIыкурытыхым и хъуреягъкIэ узрихьэлIэ пхъэщхьэмыщхьэ псори къыщокI мыбдежым. Псыжьрэ Тэрчрэ я тафэхэр щIы пшэрщи, гъавэхэкI лIэужьыгъуэ псори къыщохъу. Абхъазым метр мин зи лъагагъ жызумейхэм ущрихьэлIэнкIи хъунущ. Тутын хэсэнми куэду зыщеубгъу щIыпIэм. Кавказым исхэр нэхъыбэу зэлэжьыр мэкъумэшымрэ былым гъэхъунымрэщ. Хэкум гъавэхэкIыу къитыр апхуэдизкIэ куэдщи, нэгъуэщI къэралыгъуэхэми хурагъашэ, Iэщ гъэхъунми фIы дыдэу зиужьащ. Нэхъыбэу ягъэхъур шы, мэл, бжэн, жэм, хыв хуэдэ бжьакъуэ зытет шэрыпI былымхэрщ. Урысейм дзэ къыщызэригъэпэщкIэ, шы хуэныкъуэху, щэхуакIуэ здэкIуэу щытар Кавказращ. ЩIы щIагъ хъугъуэфIыгъуэхэр Кавказым щымащIэкъым щIы щIагъ хъугъуэфIыгъуэхэр: дыжьын, гъущI, тхъуэбзащхъуэ, гъуаплъэ, нэгъуэщIхэри. Псыжь и къыщIэжыпIэ лъагэхэмрэ Абхъазымрэ мывэ фIамыщIкIэ бейщ. Грознэ къалэ цIэрыIуэм щIыдагъэу тонн мелуанитI къыщIокI. ЩIыналъэхэр зэзыпх гъуэгухэр Урысейм Кавказыр къыщизэуа лъэхъэнэм гугъуехьышхуэ хэтащ. Ар къызыхэкIар Кавказ лъэпкъхэр бийм пэщIэтыну Iэмал къезыта, ахэр зэлъэзыгъэIэс гъуэгухэр зэрымащIэрат. Зауэр иухыу гъащIэр мамыр хъужа нэужь, урыс унафэщIхэр занщIэу пэрыхьащ дэнэкIи гъуэгу щыпхашыным. МафIэгу яукъуэдияхэм ящыщу нэхъыщхьэр хы ФIыцIэм Iус ЦIэмэз (Новороссийск) къыщыщIэдзауэ Каспий хым нэс пхаша гъущI гъуэгурщ. А гъуэгу нэхъыщхьэм епхауэ гъуэгущIэхэр зэбграшри, къалэ псори зэрапхащ. Тхыдэ гъэкIэщIа Кавказыр цIыху хужь лъэпкъым и къежьапIэ щIыналъэу ябж. Хы ФIыцIэмрэ Каспий хымрэ я зэхуаку къызэрыдэувэм, Европэмрэ Азиемрэ я зэпыдзапIэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, фIэкIыпIэ имыIэу къалэнышхуэ зэрихьэну къыхуэувырт. Азием къикIыу Европэм кIуэ зэрыпхъуакIуэ куэдым Кавказыр я зэблэкIыпIэт. Абыхэм ящыщ куэд мыбдежым щызэхакъутащ. Урыс, тырку, перс унафэщIхэм Кавказ щIыналъэр зыIэрагъэхьэныр я плъапIэт. Ар къызыхэкIыр езы Кавказым геостратегие и лъэныкъуэкIэ иIэ увыпIэрат. Къэралыгъуэ лъэщхэм я хъуэпсапIэу зэрыщытращ и щхьэусыгъуэр Кавказыр зауэ-банэм хэмыкIыу къызэрекIуэкIар. А щытыкIэм къегъэлъагъуэ щIыналъэм ис цIыхухэр зэуэным зэрыхуэIэзэри. Кавказ лъэпкъхэр щIы тафэм тету бийм щыпэмылъэщынум и деж бгы лъагэм дэкIуеижхэрти, сыт хуэдэ бий къатемыуэми япэлъэщхэрт икIи я щхьэри я хабзэри яхъумэжыфырт. Пасэрей алыдж тхыдэджхэм трагъэчыныхьу ятх Кавказыбгхэмрэ псыежэххэу Индылрэ (Волгэ) Тэнрэ (Дон) къызэщIаубыдэ щIы тафэхэр пасэм адыгэхэм я щIыналъэу щытауэ. Адыгэхэр Кавказым и лъэпкъ нэхъыжь дыдэу къалъытэ. Абыхэм ящыщ пасэрейхэм къащIэна Iэмэпсымэхэм я тхыдэр мывэ лъэхъэнэм нэс мэIэбэ. Языныкъуэ тхыдэджхэм жаIэ хьэтитхэм, адыгэ лъэпкъыу Кавказым икIыу, Тигррэ Евфратрэ я кум диубыдэ щIыналъэм империе къыщызэрагъэпэщауэ щытауэ. Кавказым теухуа хъыбархэм алыдж таурыхъхэми увыпIэшхуэ щаубыд. Абыхэм язщ Иныжь Прометей теухуар. Абы хъуаскIэ лъапIэ-лъагэу уэгум кърихар цIыхухэм яритати, тхьэхэм я нэхъыжь Юпитер абы хуэгубжьри, Кавказыбгым гъущI блакIэ кIэриIулIэжыгъат, игъащIэкIэ бгъэр къэлъатэурэ и кIуэцIыр къришхыкIыну. Кавказым мыпхуэдэ къэралыгъуэ щхьэхуитхэр итащ: — Адыгэ къэралыгъуэ; — Дыгъыстэн-шэшэн къэралыгъуэ; — Куржы къэралыгъуэ; — Ермэлы къэралыгъуэ; Мы къэралыгъуэхэм мыхьэнэ нэхъ ин зиIэу яхэтар Адыгэ къэралыгъуэращ. Абы Кавказыбгхэмрэ Псыжь и тафэмрэ зыщеубгъу. Адыгэхэмрэ Урысеймрэ 1723 гъэм щыщIэдзауэ Урысейр хущIокъу Кавказ Ищхъэрэри Ипщэри зыIэригъэхьэну. Къэжэр шах Мухьэмэд Ага Перс 1795 гъэм Куржым ебгъэрыкIуэри зэтрикъутащ, гугъуехьышхуэ пымылъуи Куржы щIыналъэр зыIэригъэхьащ. Екатеринэ ЕтIуанэм Куржым зэгурыIуэныгъэ ирищIылIауэ щытащ ныбжьэгъугъэкIэ зэдекIуэкIынхэу. Урысейм чристэнхэр муслъымэнхэм ящихъумэну и пщэ дилъхьэжат, абы къыхэкIыу Кавказ Ищхъэрэри Ипщэри зыIэригъэхьэну яужь итт. Ауэ а политикэм гуащIэу, псэемыблэжу пэщIэтахэщ Кавказым щыщу муслъымэн диныр къэзыщта адыгэхэри, шэшэнхэри, дагъыстэнхэри. А зэпэщIэтыныгъэм нэхъ IупщIу къыхэщыр 1838 -1858 гъэхэм Щамил Iимамым иригъэкIуэкIа бэнэныгъэращ. ЛIыхъужь щихъ Щамил хабзэ ткIий зыхэлъ къэралыгъуэ зэригъэпэщат Кавказ псор къызэщIиубыдэу, адыги, шэшэни, дагъыстэни зэкъуэту. Псом япэ игъэзэщIа лэжьыгъэхэм ящыщу зэкъуэтыныгъэм пэщIэувэ пщыхэр иригъэкIуэтэкIащ. Езым и жыджэрагърэ къыхуеджэныгъэкIэ Щамил хузэфIэкIащ цIыхубэм закъригъэIэтын, къуэшыгъэмрэ захуагъэмрэ зи лъабжьэ зэхэтыкIэ иукъуэдиин. Щихъым хэкур Iыхьэ-Iыхьэу иригуэшыкIри, дэтхэнэ зы щIы кIапэми унафэщI щхьэхуэ тригъэуващ. Абыхэм я пщэм дэлъыр тепщэныгъэр ягъэбыдэн, цIыхубэр зауэм хуэгъэхьэзырынрат. Дзэшхуи дэIэпыкъуэгъу куэди имыIами, Щамил Iимамым бийм зэман кIыхькIэ зауэ дригъэкIуэкIащ, хэщIыныгъэшхуи иритащ. 1859 гъэм щихъ Щамилыр гъэрыпIэм щихуам Кавказым и хуитыныгъэм удынышхуэ игъуэтащ, езы Кавказ зауэр и кIэм нэмысыпами. 1861 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-м цIыхубэ зэхуэсышхуэ екIуэкIащ. Абы унафэ къыщащтащ «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэт» цIэр зиIэ къэралыгъуэ яухуэну, зауэр зэпамыгъэууэ Урысейм бэнэныгъэ драгъэкIуэкIыну. Унафэм ипкъ иткIэ, лIыкIуэхэр Лондон, Париж, Истамбыл ягъэкIуащ, Кавказым и Iуэху зыIутыр къэралыгъуэшхуэхэм лъагъэIэсын, Урысейм Кавказым IэщэкIэ къебгъэрыкIуауэ къыдригъэкIуэкI зауэр къазэрытегуплIэм гу лърагъэтэн папщIэ. А лъэхъэнэм инджылыз лъэпкъым щыщ куэд адыгэхэм ялъэкI къамыгъанэу къадэIэпыкъуащ. Кърым зауэм и ужькIэ Инджылызым къыхилъхьащ Кавказыр и щхьэ хуиту псэун хуейуэ. Ауэ Франджы къэралыгъуэм ар идакъым, Урысейм и жагъуэ имыщIын папщIэ. Европэр къазэремылIалIэм щхьэкIи къамыгъанэу, адыгэхэм унафэ къащтащ зауэр и кIэм нэс ирагъэкIуэкIыну. Ауэ IэщэкIэ зэщIэузэда урысыдзэм адыгэхэр щапэщIэта зауэм 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м кIэ игъуэтащ. Пащтыхь Александр Ещанэм и къуэш Михаил Кавказым къакIуэри тет щыхъуат. Абы Псыжь, Тэрч тафэ деж щаубыд щIыналъэхэр адыгэхэм яригъэбгынэн папщIэ, унафэ ткIийрэ Iуэху бзаджэу зэримыхьа щыIэкъым. ЯгъэIэпхъуа цIыхухэм я пIэкIэ урыс хьукмэтым урысрэ къэзакърэ къишэурэ иригъэтIысхьащ. 1864 гъэм къриубыдэу адыгэу цIыху мин щиблым (700.000) щIигъум хэкур ябгынэри, Тыркум Iэпхъуэн хуей хъуащ. 1877 гъэм Урыс-Тырку зауэр къагъэсэбэпу, адыгэхэр Урысейм и IэмыщIэм къикIыну хущIэкъуахэщ, ауэ яхузэфIэкIакъым. 1877 — 1878 гъэхэм а зауэр Берлин зэгурыIуэныгъэкIэ иухащ. Урысейм Батуми, Къарс щIыналъэхэр зыIэригъэхьащ. Апхуэдэуи Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ и IэмыщIэ илъ хъуащ. ЩIэрыщIэу цIыху минищэм (100.000) щIигъум хэкур ябгынэн хуей хъуащ. Апхуэдэу щыхъум, Тырку къэралыгъуэм пщэрылъ егъэлеяхэмкIэ адыгэхэр къыхигъэзыхьащ. Адыгэхэмрэ Мысырымрэ Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ адыгэхэр хьэрып пащтыхьхэм мамлюк куэдкIэ зэрахуэупсар, нэхъыбэу Аббасидхэмрэ Аюбидхэмрэ. 1516 гъэм пащтыхь унэм зыкъыщызыIэтахэм я пашэ Бэркъукъу (е Бэрэкъуэ) нобэкIэ Мысырыр, Сириер, Хьиджазыр (Саудей Хьэрыпыр) къызэщIэзыубыдэ щIыналъэм тепщэр щиубыдащ. (Мыр щыуагъэщ: Бурдж мамлюкхэм Мысырым тепщэныгъэр щыщаIыгъар Мунджин псалъалъэм зэрыжиIэмкIэ, 1383 — 1517 гъэхэм; совет энциклопедием ипкъ иткIэ — 1390 — 1517 гъэхэращ — Б.Н.). А лъэхъэнэм къриубыдэу адыгэ пащтыхь 23-рэ зэблэкIащ. Абыхэм яужькIэ тырку сулътIан Селим Япэрейм и тепщэныгъэм Сириеми Мысырми щызригъэукъуэдиящ. Адыгэ пащтыхьхэм я деж тепщэныгъэр щIэину, адэм къыIэщIэкIмэ, къуэм къыIэрыхьэу щыщыттэкъым, сулътIаныр щIыхь зиIэ цIыху цIэрыIуэхэмрэ пщыхэмрэ я хасэм щыхахыу арат. Наполеон Мысырым къыщихьа лъэхъэнэм адыгэпщхэм я щIэблэм иджыри зэфIэкIрэ лъэщыгъэрэ ябгъэдэлът, Хэкум къулыкъу лъагэхэр щаIыгът. Iуэхухэр зыублэри зэфIэзыххэри ахэрат. Наполеон абы гу лъитэри, адыгэхэр зыдигъэIэпыкъун папщIэ, абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэхэм благъэ, нэIуасэ захуищIыну щIидзат, нэхъ нэ лейкIи еплъу щытащ. Адыгэхэр 1914 — 1918 гъэхэм екIуэкIа Япэрей дунейпсо зауэм 1914 — 1918 гъэхэм екIуэкIа Япэ дунейпсо зауэр щыщIидзам, кавказ лъэпкъ дэкъузахэм къалъытащ езыхэр хуит щыхъужыну зэманыр къэсауэ. А лъэхъэнэм екIуэкIа политикэм тепщIыхьмэ, инджылызхэмрэ франджыхэмрэ дэIэпыкъуэгъуу уащыгугъыныр щхьэгъэпцIэжт. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр зауэ Iуэху зэгурыIуэныгъэкIэ Урысейм къыгуэтт. Абы къыхэкIыу, кавказ лъэпкъхэм Тыркумрэ Нэмыцэмрэ (Германиемрэ) я дежкIэ загъэзат. Пащтыхьым и зэманым Урысейм щытепщэу щытащ Конституцэ Демократ Парт. Пащтыхьым и тетыгъуэр къыщыкъутэм, а зи гугъу тщIа партым хэт лIыщхьэхэр зэхыхьэри, «Ипщэ КъуэкIыпIэ Закъуэ» и фIэщыгъэу хьукмэтыщIэ зэхашат. Абыхэм щхьэкIэ кIэщIу «кадет» жаIэрт. А зэхаша хьукмэтым кавказ лъэпкъхэри хиубыдэрт. АрщхьэкIэ адыгэхэм гу лъатащ абы кавказ лъэпкъхэм яфI къызэрыкIын Iуэху зэрызэрамыхуэр, адыгэхэмрэ къэзакъхэмрэ IэщэкIэ зэпэщIэтын Iуэхури къагъэувыIэну яужь зэримытыр. Абы и щхьэусыгъуэкIэ, 1918 гъэм и накъыгъэ мазэм кавказ лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм хасэ зэхашэри, унафэ къащтащ и щхьэ хуитыж къэралыгъуэ, кавказ лъэпкъ псори къызэщIиубыдэу, яухуэну. Абы «Кавказ Ищхъэрэ ЗэкъуэткIэ» еджэрт. Большевикхэм тепщэныгъэр яIэрыхьа нэужьи нэхъыфI хъуакъым кавказ лъэпкъхэм я гъащIэри я къэкIуэнри. Абыхэм я политикэм нэхъыщхьэу хэтыр щIыналъэ бжыгъэмрэ езыхэм я унафэмрэ зрагъэубгъунрат, Кавказри хиубыдэу. Кавказ лъэпкъхэм яхэс урыс жылагъуэхэр тэрч къэзакъхэм я гъусэу гуфIэгъуэкIэ большевикхэм япежьэрти, апхуэдэ щIыкIэкIэ кавказ лъэпкъхэм я къуажэхэр, я къалэхэр къазэурт. «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтым» дзэ къызэригъэпэщри, къалэхэр къиубыду большевикхэм зыкъомрэ япэщIэтащ. Къэралыгъуэ зэгуэтхэм, союзникхэм, «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтыр» къэралыгъуэу къалъытат, абыхэм я нэхъыщхьэ генерал Томпсон къадэIэпыкъуну псалъи къратат. Ауэ апхуэдэ псалъэ тахэми емыплъу икIи емыдаIуэу, адыгэхэм я мыгъуагъэри хэтыжу, «Урысейм и Ипщэ Зэкъуэтым» и унафэщI, большевикхэм япэщIэт генерал Деникин «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтым» и дзэмкIэ Кавказ щIыналъэр еубыд. «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтым» къыхуэнэжыр зыт — IэщэкIэ Деникиным пэщIэувэу, бэнэныгъэ дригъэкIуэкIынырт. Адыгэ дивизэу Деникиным и дзэм хэтыр къыхокIыжри, езы дыдэм пэщIоувэж, «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэт» фронтым къыхохьэж. «Кавказ Ищхъэрэ Зэкъуэтым» Азербайджан республикэм и зэуакIуэу зыкъэзыIэтахэр къагухьэу зыкъыщIагъэкъуэну къыхуреджэ. Деникиныр, зыщыхьа большевикхэм я дзэр зэтреукIэри, ятокIуэ. Ауэ абыхэм я дзэ зэхэкъутахэм къелахэм щыщ урыс, тырку офицерхэм я унафэм щIэту партизан зауэр ирагъажьэри, Дербент, Петровск къалэхэр къащтэ, Деникиным Каспий хыр къимыгъэсэбэпыфын хуэдэу пэIэщIэ хуащI. Деникиным и зауэлI нэхъыфI дыдэхэр егъакIуэ а къалэхэр зыIэригъэхьэжын щхьэкIэ, ауэ къехъулIэркъым. Апхуэдэ щIыкIэурэ Деникиным и дзэр кърагъэкIуэтри, езыми Кавказым ИпщэкIэ зыщимыгъэбыдэмэ мыхъуну къыхуоув, большевикхэм къызэрыхагъэзыхьым къыхэкIыу. Деникиныр ирагъэкIуэтри, большевикхэм Кавказыр щIэрыщIэу яубыдыж. Адыгэ, шэшэн, дагъыстэн лъэпкъхэри дэкъузэныгъэм ирагъэувэж. ЕТIУАНЭ IЫХЬЭ Адыгэхэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум зэрыщикъухьар: Тыркум; Алыдж Хэкум (Грецием); Палестинэм; Франджы мандатым щIэт къэралыгъуэхэм НобэкIэ адыгэхэм я бжыгъэр зэхуэмыдизу щыIэщ Тыркум, Алыджым (Грецием), КъуэкIыпIэ Иорданым, Палестинэм, франджы мандатым щIэт къэралыгъуэхэу КъуэкIыпIэм щыIэхэм: Сирием, Алауит Хэкум. Сирием щыпсэу адыгэхэр нэхъ цIэрыIуэхэщ, абыхэм я бжыгъэр мин 25 — 30-м нос. Адыгэхэр — Тыркум Джэбал Барэкат щыIэхэр цIыху 5000-м нос; Смирнэ, Бандырмэ щыIэхэр 5000 мэхъу. Адыгэхэр — Алыджым (Грецием) Салоники областым — Лурс, Серс, Драмэ, Деде-Агач щыпсэухэм я бжыгъэр 5000 мэхъу. 1928 гъэм псалъэмакъ щыIащ Алыджым ис адыгэхэр Сирием хыхьэ Джолан щIыналъэм ягъэIэпхъуэн хуэдэу, ауэ зыри къикIакъым. Адыгэхэр — Иорданым Джэрэш, Нэхьур, Хьэмамэт, Уадисир, Сыуелыхь, Заркъэ, Русейфэ жылагъуэхэм тегуэшауэ Иорданием щыIэхэм я бжыгъэр 9000-м ноблагъэ. Адыгэхэр — Палестинэм Палестинэм щыIэ адыгэхэм я нэхъыбэр Тивериад гуэлым и Iэшэлъашэм щопсэу: Кфар-Камэ дэсхэр нэрыбгэ 400 мэхъу; Рихьание дэсхэр — 200. Франджы мандатым и жьауэ щIэт къэралыгъуэхэу КъуэкIыпIэм щыпсэу адыгэхэр Сирие Хьэлэб и Iэшэлъашэм: Хьэлэб къалэм: къэбэрдей, абазэхэ унагъуэу щэ (100) щопсэу. ЦIэрыIуэу дэсхэр: Анзор Тэуфикъ-бей, вагъуищ зытелъщ (капитан), адыгэ шуудзэм хэтащ; Ибрэхьим бей КъэдаI (супрефект). Джэбел Самхьан префектурэм (щIыналъэ Iыхьэ географие гуэшыкIэм темыхуэу): Мунбыдж къуажэм — абазэхэ унагъуэу 400 дэсщ. Къуажэ тхьэмадэхэр: Умар-бей; Хьэжы Исхьэкъ; Мэхьмуд Нэдим; Хъусен-ефэнды. Хьейн Дыкъна префектурэм: абазэхэ унагъуэу 15 дэсщ. Къуажэ тхьэмадэр Гъази Агъащ. Сынджыкъ (область) эскадроным, Антакие префектурэм: Бедрукъан къуажэм абазэхэ унагъуэ 35-рэ дэсщ. Къуажэ тхьэмадэр Къарэ Ахьмэд Умарщ. Къыркъ-хъан префектурэм: Рихьание къуажэм абазэхэ унагъуэу 120-рэ дэсщ. Къуажэ тхьэмадэр Хьэмду бей Хьэж Зэкэриещ. Ены-шахьыр абазэхэ унагъуэу 95-рэ дэсщ. Къуажэ тхьэмадэр УнэцIыкIу Шабан Агъащ. Хъоран абазэхэ унагъуэу 60 дэсщ. Къуажэ тхьэмадэр Хьэсэн-ефэндыщ. Сынджыкъ Дер-аз-зорым: Дер-аз-Зор къалэм и Салхьие хьэблэм шэшэн унагъуэу 100 дэсщ. Тхьэмадэр Хьэсэн-бейщ. Ракъкъэ къуажэм унагъуи 100 къэбэрдейрэ шэшэну дэсщ. Тхьэмадэхэр Анзор Умар-бейрэ Мырзэ-бейрэщ. Рас-ал-Гъеин: шэшэн унагъуэ 70 дэсщ, тхьэмадэхэр Исмэхьил-бейрэ Хьэзем-бейрэщ. Къарэ: шэшэн унагъуэ 50 дэсщ, тхьэмадэхэр Хьали Ага Риддэ; Сулеймэн Ага Фадлан сымэщ. Сафие: шэшэн унагъуэ 80. Тхьэмадэхэр Сулеймэн-бей, Щалехь-бей Атыбай сымэщ. Тел-ел-Руман: шэшэн унагъуи 10 дэсщ. Тхьэмадэр Абдулгъани-ефэндырщ. Сынджыкъ Хьэмэ, Мыредж-ад-Дур: бжьэдыгъу унагъуэ 50 дэсщ. Къуажэ тхьэмадэр Риад-ефэндырщ. Тел-Снан: бжьэдыгъурэ абазэхэу унагъуи 120-рэ дэсщ. Тхьэмадэхэр Абдулкъадыр-бей Росланыкъуэ, Сэлим Агъа сымэщ. Тел-Гъадэ: бжьэдыгъу унагъуэ 60 дэсщ. Тхьэмадэр Сэхьид Агъащ. Дейр-ал-Гыджыл: къэбэрдейуэ унагъуэ 50 дэсщ. Тхьэмадэр Бажэ Хьэжыщ. Джызин: дагъыстэн унагъуэ 30 дэсщ. Тхьэмадэр Сэхьид Гъэлейан Агъащ. Сынджыкъ Хьомс къалэм: дагъыстэн унагъуэ 50. Тхьэмадэр Хьэмзэ-бейщ. Гъейн-Зат: бжьэдыгъу унагъуи 180-рэ дэсщ, тхьэмадэр Бэдэн Агъащ. Тел-Гъамри: бжьэдыгъу унагъуи 150-рэ дэсщ, тхьэмадэр Хьэж Умар Агъащ. Абу-Хьумамэ: бжьэдыгъу унагъуэ 30 дэсщ, тхьэмадэр Iэюб-ефэндырщ. Гъысейлэ: дагъыстэн унагъуи 160-рэ дэсщ, тхьэмадэр Мухьэмэд-ефэндырщ. Тлил: бжьэдыгъу унагъуэ 50 дэсщ, тхьэмадэхэр Умар Агъарэ Екъуб-ефэндымрэщ. Сынджыкъ Дамаск: Дамаск къалэм и мухьэджрин хьэблэм: бжьэдыгъу, къэбэрдей, абазэхэ, осетин унагъуэу 60 дэсщ, тхьэмадэхэр Хьэрун-ефэнды, Абдуллахь-бей, Муссэ Къасым-бей сымэщ. Мардж-СулътIан: абазэхэ унагъуэу 70 дэсщ, тхьэмадэхэр — Умар-бейрэ Ислъам-ефэндымрэщ. Бойдан: осетинрэ къэрэшей унагъуэу 30 дэсщ, тхьэмадэр Мэхьмуд Агъащ. Блей: осетин, къэрэшей унагъуэу 150-рэ дэсщ, тхьэмадэр Мэхьмуд Агъащ. Джолан КъунейтIрэ къалэм: къэбэрдей, хьэтыкъуей, дагъыстэн, шэшэн унагъуэу 400 дэсщ, тхьэмадэр Сэлим-ефэнды Закариещ. Мансурэ: бжьэдыгъу, абазэхэ унагъуэу 130-рэ дэсщ, тхьэмадэр Екъуб-ефэндырщ. Гъейн-Зиуан: абазэхэ унагъуэу 150-рэ дэсщ, тхьэмадэр Екъуб Агъащ. Мумсие: унагъуэ 50 дэсщ, тхьэмадэхэр — Бэчыр Агъа, Хьэж Сулеймэн Агъа. Джууезэ: абазэхэ, къэбэрдей, тыркумэн унагъуэу 100 дэсщ, тхьэмадэхэр Хьэж Абдулэхь, Хьэж Бэчыр сымэщ. Бэрекъэ: абазэхэ унагъуэу 150-рэ дэсщ, тхьэмадэр Абдулхьамид Агъащ. Бир-Хьэджэм: къэбэрдей, абазэхэ унагъуэу 70 дэсщ, тхьэмадэхэр Хьэж Ахьмэд, Гъузер Ага. Сураман (Сэлмэние) иужькIэ Аднание фIащыжат: бжьэдыгъу унагъуи 120-рэ дэсщ, тхьэмадэр Мустафа-ефэндырщ. Хъышние: къэбэрдей, абазэхэ унагъуи 150-рэ дэсщ, тхьэмадэхэр Апышэ-бей, Мухьэмэд-Ага, Гъази Агъа сымэщ. Фэхьам: абазэхэу унагъуэ 20 дэсщ, тхьэмадэр Рэмэдан Агъащ. Фазарэ: осетин унагъуэу, къэбэрдейуэ 10 дэсщ, тхьэмадэхэр Ехья Агъа, Джэхьфар Агъа сымэщ. Хьэмидие: къэбэрдей унагъуэ 30 дэсщ, тхьэмадэр Хъурей Хьэсэн Агъащ. Гъейн-Сураман (зи гугъу ищIыр Мударей къуажэращ): къэбэрдей унагъуэу 30 дэсщ, тхьэмадэр Асхьэд Агъащ. Рууейхьинэ: абазэхэ унагъуэ 25-рэ дэсщ, тхьэмадэр Сосмакъ Хьисэ Агъащ. Самдание: шэшэн унагъуи 10 дэсщ, тхьэмадэр Хьэж Мухьэмэд Агъащ. Фардж: осетин унагъуэ 14 дэсщ, тхьэмадэр — Юныс Агъащ. Алауит щIыналъэм Джубел: бжьэдыгъу унагъуэ 50. Гъараб-ал-Мулк: унагъуэ 30. Сукасс: унагъуэ 15, тхьэмадэхэр Умар Агъа, Сэхьид Ефэнды сымэщ. ЕЩАНЭ IЫХЬЭ ЦIыху щхьэхуэм и теплъэр Нобэр къыздэсым адыгэхэмрэ куржыхэмрэ дунейм цIыхуу къытехьахэм я нэхъ дахэу ябжу къокIуэкI. Абы щхьэкIэ мы лъэпкъхэм я бзылъхугъэхэм пащтыхьым и щIасэ цIыхубзхэр щиIыгъ унэхэм щIэупщIэшхуэ щаIэу щытащ. Ауэ нэсу лъэпкъ къабзэ куэд къэнэжакъым, нэхъыбэу зыхэплъэгъуэжыр бзылъхугъэхэрщ. Кавказым лъэпкъ мащIэкъым щызэблэкIар — абы лъэпкъ куэд зэхэпща щыхъури кавказ лъэпкъыгъуэр тIасхъэ ищIащ, абы хэтуи напэ шэфэл бжьыфIэр нэхъ мащIэ хъуащ. Аращи, мащIэкъым адыгэу узрихьэлIэр я нэпкъпэпкъыр тэтэрхэм ейхэм ещхьу. Адыгэм я хабзэкъым езыхэм ящымыщ къашэу. Ауэ къатегуплIэ залымыгъэм къыхэкIыу мащIэкъым апхуэдэу зэрыша-хэри. Зэхуэарэзыуэ нэгъуэщI лъэпкъ къэзыши щыIэщ. Адыгэ бзылъхугъэхэр урысхэм ядэмыкIуэу щытами, тэтэрхэр, тыркухэр Iумпэм ящIыртэкъым. Апхуэдэу адыгэхэм хамэ лъэпкъхэм — нэхъыбэу тыркухэмрэ тэтэрхэмрэ — я лъэужь къахэнащ. Сирием щыпсэу адыгэхэм езым ящымыщ къашэртэкъым, я бзылъхугъэхэри хамэ лъэпкъхэм иратыртэкъым. Адыгэхэр щIагъуэу хьэрып-друз зауэхэм зэрахуэмыкIуэм къыхэкIыу, Джоланым дэсхэм нэгъуэщI лъэпкъ къахэпща хъуркъым. Абы ущыпэплъэ хъунущ адыгэм дахагъэу яIам къыщытригъэзэжыну. Адыгэ хьэлыр Сирием куэд щIауэ щыпсэу цIыхухэм нобэр къыздэсым яхуегъэхыркъым къэралым мухьэжырыщIэхэр къызэритIысхьар. Апхуэдэ щытыкIэм дэнэкIи къикIа къэIэпхъуагъащIэхэр нэхъри зэрипхащ. Псом япэу адыгэр зэрыадыгэм ирипагэу, пагэ зыкъызыфIэщIыжу щытщ. Абы къыхэкIыу дагъуэхэри яIэщ. Лъэхъэнэ Iэуэлъауэншэм адыгэхэм я пагагъым къыхэкIыу къемызэгъ Iуэху куэд къаIэщIощIэ, узыпэмыплъа къаугъэ къешэ, къуажэм дэс цIыхухэм я зэхуаку зэпэщIэувэныгъэ къыделъхьэ. Ауэ шынагъуэшхуэ е лажьэшхуэ къэхъумэ, я зэхуакум дэлъ гужьгъэжьыр лъэныкъуэкIэ ирагъэзри, псори зэкъуэту пэщIоувэ шынагъуэ къэхъеям. АдыгэлIыр бланэщ, цIыху пэжщ, я хабзэхэм пщIэ хуещI, и щхьэ жагъуэу илъагъужыркъым, и лъэпкъэгъухэмкIэ гумащIэщ, и псалъэм тыбогъуэтэж, пIалъэ е псалъэ итамэ, иIыгъыжщ. ЗыгуэркIэ напэм къемызэгъыу адыгэлIым икIагъэ къыIэщIэщIамэ, абы цIыхухэм емыкIушхуэ къыхуащIынущ, дзы дыдж дыдэхэмкIэ гъэнщIауэ усэ хузэхалъхьэнущ. Зэхыхьэ-зэхуэсхэм а усэхэр бзылъхугъэхэм уэрэду щыжаIэнущ, жаIар щIэблэм зэIэпахыурэ къекIуэкIынущ. ИкIэм-икIэжым, мыхъумыщIагъэ къызыIэщIэщIам хэкур ибгынэн хуей хъунущ. Щыпсалъэм, щызекIуэм, зыщихуапэм деж адыгэлIыр сыт щыгъуи лъагагъым, щIыхьым, цIыхуфIагъым, уэркъыгъэм хущIэкъуу щытщ. Ар Iущщ, жанщ, лэжьакIуэщ, уефыщIауэмэ, щыгъупщэркъым, и ныбжьэгъухэмкIэ хьэлэлщ. Сыт щыгъуи нэхъ цIыхугъэрэ гъэсэныгъэрэ зыхэлъ уримыхьэлIэн жыхуаIэм хуэдэщ. И зыIыгъыкIэмкIэ, и зекIуэкIэмкIэ, лъэщагъ, гуащIагъ дэплъагъум щхьэкIэ щIыхь зыхууегъэщI. Адыгэхэм псалъэжь куэд яIэщ. Ахэр Iуэхум здыхэтым къыщаIуэтэн яфIэфIщ. Мы зи гугъу къэтщIыну псалъэжьхэм къагъэлъагъуэ а лъэпкъым и уардагъыр: Псэм и пэ — напэ; Зи хэкурэ зи лъэпкърэ епцIыжыр цIыхукъым; ЦIыхугъэ зыхэлъыр факъырэкъым; ХьэщIэр унагъуэм щыщщ; ХьэщIэ зэрымыс унагъуэм тхъэгъуэ илъкъым; Бзылъхугъэ зэрымыс унэрэ мэш зэрымыт хьэсэрэ; Бзылъхугъэм ехъуэным езым зыхиутэжу аращ; Уэркъыгъэр зэпхар лIыгъэращ, къызыхэкIа лъэпкъыракъым; Гур кIуэдмэ, шыр жэкъым; ЦIыхум и пащхьэ ущыщытхъунри, и щIыбкIэ бубынри зыщ. 1930 гъэхэм Сирием къыщызэрагъэпэща шуудзэм щыщ гуп, франджы генерал Колле яхэту. 1939 гъэ ЗауэлIыр Адыгэ лъэпкъыр, шэч хэмылъу, зауэлI лъэпкъщ. Адыгэхэм я лIыгъэр, я хахуагъэр делагъэм щыхуэкIуэж къэхъуащ. Мы лъэпкъым Тыркум лIыщхьэ цIэрыIуэ куэд иритащ. Дэтхэнэ зы унагъуэри куэду елIалIэрт и быныр зауэм хуигъэсэным. Сыт хуэдэ фIыщIэ, сыт хуэдэ щытхъу зы зауэлIым зауэм къыщимыхьами, абы и анэр ирипагэрт, цIыхухэм я пащхьэ хуитыныгъэ щиIэт и щIалэм щытхъуну, фIыкIэ и гугъу ищIыну, армыхъумэ уи бын ущытхъужыныр емыкIут. Дэтхэнэ зы шыпхъури, къэшэнри ирипагэрт псэлъыхъум зэрихьа лIыгъэм. ЩIалэм къимышэ щIыкIэ лъэщагърэ хахуагъкIэ зауэм зыкъыщигъэлъэгъуэн хуейт. АдыгэлIу зауэм къыщаукIам хуэщыгъуэртэкъым. Зи щIалэ зауэм хэкIуэда унагъуэр лъэпкъми, хьэблэми, къуажэми ягъэлъапIэрт. Хэтми, зауэ IэнатIэм шынэу къыщыщIэпхъуэжам, и унагъуэми лъэпкъми емыкIу къахуихьауэ ябжырт. Къэрабгъэу къыщIэкIа лIым и унэкъуэщхэр жылагъуэ зэхыхьэ-зэхуэсхэм укIытэм къыхэкIыу яхыхьэжыфыртэкъым. Уеблэмэ а напэтехыр ятекIыжтэкъым, а унагъуэм щыщу зыгуэрым лIыгъэ гуэр къимыгъэлъэгъуэжауэ. АдыгэлIым и шым лъагъуныгъэшхуэ хуиIэщ. Абы шым тесу зэуэныр нэхъ къыхихырт, лъэсу зэуэным зыщидзейрт. Шуудзэ ебгъэрыкIуэн щыхуейм и деж, адыгэлIыр пыплъхьэн щымыIэу шууейщ. Кавказым щиса зэманым адыгэхэр цIэрыIуэт хъыбарыншэу зыгуэрым ебгъэрыкIуэнкIэ. Зы лIакъуэ е зы къуажэ ягъэбийуэ теуэн хъуамэ, япэ щIыкIэ жэщым е нэхущым деж, лъэсу къуажэбгъум деж щытеуэрти, зауэ хуэдэу загъэлъагъуэрти, къуажэдэсхэр ягъэбэлэрыгъырт. ИтIанэ къикIуэтыж хуэдэу защIурэ, гъэпщкIуауэ я гъусэ шуудзэр къуажэм и адрей лъэныкъуэмкIэ лъэщу къыщебгъэрыкIуэрт. Сэшхуэ, Iэщэ хужь гъэIэрыхуэнымкIэ адыгэхэр Iэзэт, цIэрыIуэт, япебгъэуэн умыгъуэтыну. МафIэ Iэщэхэр къежьа нэужь, адыгэхэм ар фIы дыдэу къагъэсэбэпу зрагъэсащ. Абы и нэщэнэщ я лъэпкъ фащэм тет шалъэ жыпхэр, хьэзырылъэхэр. А жыпхэр нобэр къыздэсым лъэпкъ фащэм тыболъагъуэ. Фочхэр гъэпщкIуауэ Урысейм кърахырт е хамэхэм къыздахьу Европэм къахуикIырт. Къыхэгъэщыпхъэщ Урыс-Кавказ зауэжьым инджылыз гуэрхэр адыгэхэм IэщэкIэ, шэкIэ, зауэ хуэIухуэщIэкIэ зэрадэIэпыкъуар. Сирием щыпсэу адыгэхэр зауэ хуэIухуэщIэхэм хуэIэзэщ, ар я хьэлым хэмыкIуэдыкIауэ. Адыгэ шууейхэм сыт щыгъуи лIыхъужьыгъэшхуэ зэрахьэу, Iэзагъышхуэ яхэлъу къызэрыгъуэгурыкIуар зауэ куэдым къыщагъэлъэгъуащ. Абыхэм зауэлI хьэлыр къыдалъхуми ярейщ. МэкъумэшыщIэр IэщIагъэхэм япэ къихуэу адыгэлIыр зауэлIщ икIи мэкъумэшыщIэщ. Ар бэшэчщ, лэжьакIуэщ. Дунейм и зэхэзэрыхьыгъуэми, зэманым и къэгъэшыгъуэхэми, и зэхъуэкIыныгъэхэми тыншу докIуэкIыф. И хабзэр хуэсакъыу зэрехьэ. НэгъуэщI къыдэIэпыкъуну щылъаIуэр зэзэмызэххэщ. Уеблэмэ мэкъумэшым пыщIа IуэхугъуэхэмкIи бзылъхугъэ дэIэпыкъуэгъу ищIыну и щхьэ хуигъэфащэркъым. Адыгэр куэд щIауэ хьэрыпхэмрэ друзхэмрэ зэрыс щIыналъэм къыщыхутами, ахэр зыдигъэIэпыкъуну зэи лъэIуакъым. Уеблэмэ абыхэм захуигъэлъахъшэу щхьэщэ яхуищIакъым, езэуа фIэкIа. Езыр зэрыхуэхъукIэ и щхьэм хуэлэжьэжу мэпсэу. Адыгэхэм я фIыщIэщ япэ дыдэу Сирием шэрхъыдзэ изхэр зыщIэт гухэр къызэрыщежьар. Адыгэхэм я деж щIыр зэпыбуду Iыхьэ-IыхьэкIэ бгуэш хъунукъым. КъухьэпIэ Европэм лъэпкъ зэхэгъэж зыщI гуэрхэр щыIэщ, адыгэхэр зыхэпсэукIыр дыгъуэнрэ хъунщIэнрэщ жаIэу. Ар пэжкъым. АдыгэлIыр нэгъэсауэ мэкъумэшыщIэщ. Ар фIы дыдэу зэхэбгъэкIыфынущ, мэкъумэшым пыщIа лэжьыгъэхэм адыгэ къуажэхэмрэ хьэрып къуажэхэмрэ зэрызыщаужьар зэбгъапщэмэ. Адыгэ къуажэхэр а лъэныкъуэмкIэ хьэрып къуажэхэм куэдкIэ ятокIуэ. Адыгэхэм форэ тхъууэ кърахьэлIэжыр куэдкIэ нэхъыбэщ адрей къуажэхэм елъытауэ. Жылагъуэр зэрызэщхьэщыкIыр 1. Пщыхэр 2. ЛIакъуэлIэшхэр 3. Уэркъхэр 4. ЛъхукъуэлIхэр 5. ПщылIхэр Адыгэхэм дэкъузэныгъэр я фэм зэрыдэмыхуэм къыхэкIыу хабзэрэ демократиерэ яфIэфIу щытщ, абы щхьэкIэ щIыхьрэ пщIэрэ зэхуащIыжу зэхэтщ. Пщыхэм цIыхубэм емыупщIыжу зы унафи къащтэркъым, абыхэм я гъащIэр нэхъыбэу зытегъэщIар зауэм и дауэдапщэхэращ. Лъэпкъым жылагъуэ зэхэтыкIэ и лъэныкъуэкIи политикэ и лъэныкъуэкIи Iуэху зезыхьэхэр уэркъ щауэхэрат. ПщылIхэр адыгэхэм ящыщтэкъым, абыхэм я нэхъыбэр гъэру къахьауэ арат. Зауэ-банэмрэ Iэпхъуэшапхъуэнымрэ тхьэмыщкIэ зэтрищIауэ, сыт и лъэныкъуэкIи цIыхур зэхуигъадэу муслъымэн диныр къахыхьа нэужь, пщы-пщылI зэхэтыкIэр ящхьэщыкIри, адыгэхэр псори зы унагъуэм хуэдэу псэун щIадзащ. Ауэ абы къикIыркъым адыгэхэм уэркъ унагъуэм къыхэкIахэр ямыгъэлъапIэу. Пщы-уэркъхэм ятеухуауэ адыгэхэм фIы фIэкIа жаIэ хабзэкъым. Унагъуэр Шэч лъэпкъ хэмылъу, унагъуэм щытепщэр адэращ. Абы жиIар унафэщ, ар умыгъэзащIи упэпсэлъэжи хъунукъым. Абы къыкIэлъокIуэ къуэ нэхъыжьыр. Адэр щымыIэж хъумэ, нэхъыжьыгъэр къызылъысыр, къуэш нэхъыщIэхэми шыпхъухэми якIэлъыплъыр, унафэ зыщIыр аращ. ЗылI къытехъукIахэм зэкъуэшу забжыж, къудамэ-къудамэу зэтепщIыкIауэ щытми. Зэхэдз ямыIэу ахэр зэрогъэблагъэ, зэкIэлъокIуэ, я бзылъхугъэхэри шыпхъуу къабж. Абыхэм ящыщ зэи дэкIуэфынукъым а лъэпкъым щыщ хъулъхугъэ, езы цIыхухъухэми а лъэпкъым щыщ бзылъхугъэ къашэнукъым. Унагъуэм сабийхэр зэхэгъэж ящIыркъым, мыр щIалэщ, мыр хъыджэбзщ жаIэу. Хъыджэбз цIыкIухэр я дэлъхухэм ядо- джэгу. Ауэ щIалэ цIыкIур еджапIэм кIуэмэ е адэм дэщIыгъуу мэкъумэшым елэжьмэ, хъыджэбз цIыкIум анэм дэщIыгъуу унэкIуэцI Iуэхухэр егъэзащIэ. Адыгэ бзылъхугъэр дэкIуауи дэмыкIуауи щрырет — зэи губгъуэ Iуэху илэжьыркъым. Псалъэм папщIэ, къумырыс, друз бзылъхугъэхэр шыдым е къыдырым илъэф пхъэIэщэм доIэпыкъу, пхъэ къахь. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр адыгэхэм я деж зи Iуэхур хъулъхугъэращ. ЩIыб Iуэхум щыщу адыгэ цIыхубзым ищIэр псы къэхьын закъуэрщ. Унагъуэ нэхъ хуэмыщIахэми я бзылъхугъэхэм губгъуэ Iуэху ирагъащIэркъым, хуэныкъуапэми. Адыгэ бзылъхугъэр пщылIым хуэдэщ пхужыIэнукъым. Ар щIыхь зиIэ щхьэгъусэщ. Жылагъуэм пщIэрэ щхьэрэ иIэу хэтщ. Абы къыхэкIыу «ЩэнхабзэмкIэ Адыгэ Зэгухьэныгъэм» хабзэ къищтащ: «Бзылъхугъэр лъэпкъым и щIэлъэныкъуэу щытщ, арыншамэ ЩэнхабзэмкIэ Адыгэ Зэгухьэныгъэр нэфу, лъахъшэу къэнэнущ. Аращи, бзылъхугъэхэр ди зэгухьэныгъэм хэтыпхъэщ, дэтхэнэ зы цIыхухъуми хуэдэу». Унэм лIыр щIэмысми, хьэщIэ къекIуэлIамэ, щхьэгъусэм кърегъэблагъэ, хьэщIэм хуащI хабзэмкIи къыпокIуэкI. КъашагъащIэ нысэ цIыкIур унэм ису хъуам ягъафIэ, унагъуэм илъ хабзэм, унэкIуэцI Iуэхухэр зэрызэрахьэм и гуащэм хуэм-хуэмурэ щыгъуазэ ещI. АдыгэлIым бзылъхугъэм пщIэ хуищIыныр и лъым хэтщ. Адыгэ шум сыт хуэдизыпщIэрэ щхьэрэ имыIэми, гъуэгу тету бзылъхугъэ къыхуэзамэ, шым къопсыхри мэув, бзылъхугъэр блэкIа нэужь и гъуэгум пещэ. АдыгэлIыр жэщу бзылъхугъэ хуэзамэ, и къалэнщ ар унэм нигъэсыжыну. Бзылъхугъэ зыхэт зэхуэсым абы псалъэ фIей къыщыжьэдэкIмэ, ар емыкIу дыдэу къабж, а зэхэсми къыхаху. Хъыджэбзыр сыт хуэдэ жылагъуэ зэхыхьэми макIуэ, хьэщIэхэр кърегъэблагъэ. ГуфIэгъуэ-гукъеуэ зэхыхьэхэми жыджэру хэтщ. Ауэ унэ ихьа бзылъхугъэхэм хъыджэбздэсхэм яIэ хуитыныгъэм хуэдиз яIэкъым. Сыт хуэдэ зэхыхьэми бзылъхугъэ дэкIуами дэсми увыпIэ щхьэхуэ щаIэщ: нысашэ, нысэишэ, щауэ шэж хуэдэхэм. АдыгэлIым и гъащIэр жылагъуэ зэхыхьэхэмкIэ къэухъуреихьауэ щыту пхужыIэнущ. Абыхэм я нэхъыщхьэр лъэпкъыр щIыхькIэ къэзыIэт унагъуэращ. Адыгэ усакIуэжьхэр лъапIэу, лъагэу щIыщытар абыхэм унагъуэр зэтеIыгъэн Iуэхугъуэм гулъытэшхуэ хуащIу зэрыщытаращ. Хабзэр, хьэл-щэнхэр Пасэм адыгэхэм зэрахьэу щыта хабзэхэм ящыщ куэд нобэ щыIэжкъым. ЗэхъуэкIыныгъэу зэманым къишамрэ, Iэпхъуэшапхъуэным зэрыхэмыкIым, нэгъуэщI лъэпкъхэм ядэпсэун зэрыхуей хъуам къыхэкIыу хабзэ куэд яIэщIэхуащ, ткIийуэ зэрахьэу щытахэр нэгъунэ. Апхуэдэу щытми, нэхъыщхьэхэр къэнащ. Адыгэхэр я хабзэм нэхъ фIолIыкI, я диным нэхърэ. Ахэр нэхъыбэу зытеухуар: адэ-анэм жыIэдаIуэу яхущытын, жьым, еджагъэшхуэм, бзылъхугъэм пщIэ хуэщIын. Дэтхэнэ зэхыхьэми бжьыпэр щызыубыдыр хабзэм хэзыщIыкI нэхъыжьырщ, ар уэркъ унагъуэ къыхэмыкIауэ щытми. Iуэхушхуэхэр щызэрахуэу щытар Хасэращ. Хасэм хыхьэр цIыхубэм къыхиха лIыкIуэхэрт. Лъэпкъым и Iуэхур дэкIын папщIэ, мыпхуэдэ Хасэхэм я унафэр хэт дежкIи унафэт. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ Хасэу зэхашахэм ящыщщ 1861 гъэм мэкъуауэгъуэм и 13-м нэрыбгэ 15 хъууэ зыхэта Хасэр. А Хасэращ «Кавказ Ищхъэрэ ЗэгухьэныгъэкIэ» еджэу къэралыгъуэ джэж къыщащтауэ щытар. Сирием щыIэ хасэм и Iуэху нэхъ зытегъэщIар унагъуэхэм е къуажэхэм яку къыдэхъуэ зэгурымыIуэныгъэхэр гъэзэкIуэжынырщ. Унагъуэм сабий къихъуэныр Унагъуэм сабий къихъуэныр гуфIэгъуэшхуэщ. Абы ныбжьэгъухэр гуфIакIуэ къешэ. Хьэрып друзхэм унагъуэм хъыджэбз цIыкIу къихъуэныр гуфIэгъуэ дыдэу къащыхъуркъым. Адыгэхэм хъыджэбз цIыкIу е щIалэ цIыкIу къахэхъуакIэ, зэхэдз ящIу гу лъыптэркъым. ЩIалэм щхьэкIи хъыджэбзым щхьэкIи гуфIакIуэу къахуэкIуэхэр зэхуэдизщ. Абыхэм щхьэкIэ зэрыхъуахъуэхэри зэщхьщ. Пасэм пщыхэм, уэркъхэм хабзэ яIащ: унэм сабий къихъуамэ, ар нэгъуэщI унагъуэ цIэрыIуэ гуэрым иратырти ирагъэпIырт, и ныбжьыр илъэс зыбгъупщIым щхьэдэхыхукIэ. Ар зрата лIым атэлыкъкIэ еджэу щытащ. А хабзэр нобэ зекIуэжыркъым. Къэшэныр Адыгэхэм я ныбжьыр хэкIуэтауэ къашэ икIи докIуэ. Куэдрэ урохьэлIэ хъыджэбз дэмыкIуа илъэс тIощIрэ пщIым нэсауэ. Лъыхъун, къэшэн Iуэхухэр зэрырагъэкIуэкIыр хьэрып друзхэм я хабзэхэм техуэркъым. Зэрышэн Iуэхури адэ-анэхэм я унафэкIэ зэфIэкIыркъым. Абыхэм я Iуэху къыхалъхьэмэ, мылъку, къулыкъу хуэдэхэм мыхьэнэ нэхъ яIэу къэувынущи. Абы щхьэкIэ щIалэм хъыджэбзым зы зэхыхьэ гуэрым — нысашэ, хьид, щIэпщакIуэ хуэдэм — зыщыхуегъазэри, и гурылъыр гурегъаIуэ. ЗэгурыIуэмэ, Iэлъын зэIэпах, итIанэ адэ-анэхэм хъыбар ирагъащIэ я гухэлъымкIэ. ЩIалэм къытохуэ и щхьэгъусэ хъунум игу къихьэхун папщIэ, Iэмал имыIэу нэчыхь уасэ итын хуейуэ, къуэкIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм ещхьу. Зэзэмызэ къохъу хъыджэбзым и адэ-анэм нэчыхь уасэр яфIэмащIэу. Абдежым зрагъанэри, нэчыхь ирамыгъэтхыу хуожьэ. Мыбдежым щIалэм къыхуэнэжыр хъыджэбзыр къигъэкIуэсэнращ. Аращи, хъыджэбзым пIалъэ иретри, и ныбжьэгъу зы-тIущ и гъусэу жэщым макIуэхэри пIалъэ зэхуащIам ирихьэлIэу хъыджэбзыр къагъэкIуасэри, щIалэм и ныбжьэгъу е и благъэ гуэрым деж ирахьэлIэ. Хъыджэбзыр зрахьэлIар бынунагъуэу щытщи, ныбжьэгъухэр зэхуашэс, ахэр нэхъыбэм пщIэрэ щхьэрэ зиIэ защIэхэщи, дэтхэнэ зыри нэчыхь уасэ тыным хоIэбэ: зым шы къет, адрейм мэл зыбжанэ, нэгъуэщIым джэд зыбжанэ. Апхуэдэурэ нэчыхь уасэ ирырагъэкъури, нэчыхьыр ирагъэтх. ИтIанэ уэредадэшхуэкIэ нысащIэр щIалэм и Iыхьлым деж яшэж. Нэчыхьыр зытхыр Iимамращ. Абдежым Iимамыр КъурIэн Iэят гуэрхэм къоджэри, зы Iэлъыни зы тхьэрыIуи щымыIэу зэфIокI. КъэгъэкIуэсэныр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ хъууэрэ йокIуэкI. Шэрихьэтым хьэрыпхэм къахуигъэув къалэнхэм адыгэхэр егъэпIейтей, ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, ар къамыщтэу щытщ. IэлъэщI зытелъхьэныр Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэщ унагъуэ ихьа бзылъхугъэм дежкIэ. Хъыджэбздэсхэми зытрапхъуэн хуейуэ щытщ. Апхуэдэу щытми, адыгэ хъыджэбзхэм хуитыныгъэ нэхъ яIэщ хьэрып пщащэхэм елъытауэ. Щхьэгъусэ хъуа бзылъхугъэр пащтыхь гуащэм щыхуэдэщ унагъуэм. Апхуэдэу щыт пэтми, лIым ар зы унафэкIэ иригъэкIыжыфынущ. Ауэ апхуэдэр къыщыхъур закъуэтIакъуэххэщ. ЛIым и фыз иригъэкIыжыну хуиткъым, щытыкIэ къызэрымыкIуэ гуэр къэмыхъуамэ, ар емыкIушхуэ зыхэлъу щымытмэ. Псалъэм папщIэ, и щхьэгъусэм епцIыжамэ е делэ дыдэ хъуамэ. Зинэр щымащIэщ адыгэхэм я деж. Пасэм ар зыIэщIэщIахэм тезыр тралъхьэрт, щапхъэ хъун папщIэ: зи лIым епцIыжа фызыр жылэм хэIущIыIу щащIырти, и адэм деж ирагъэшэжырт. Адэр абы хеящIэ хуэхъурти, унэIут хуэдэу, пщылI бэзэрым щищэрт, хьэрэмым (гаремым) яшэн хуэдэу. А хьэрэмхэми адыгэ бзылъхугъэхэм нэхъ щIэупщIэ щаIэт. Уеблэмэ апхуэдэ цIыхубзым и адэм и унэр щагъэс къэхъурт. НобэкIэ а тезырыр нэхъ псынщIэ хъуащ пасэ зэманхэм елъытауэ. Ауэ нобэкIи тезыр ткIий иIэу щытщ. Апхуэдэу ирагъэкIыжа цIыхубзым и гъащIэр и адэ-анэм егъэщIылIауэ ихьынущ, щIыбым щIэмыкIыфу, цIыхухэм яхэмыхьэфу. Апхуэдэ бзылъхугъэм зинэ дэзыщIа цIыхухъум тезыр лъэпкъ темыхуэ хуэдэу къэлъагъуэми, куэд дэмыкIыу ар укIауэ къагъуэтыжынущ, хэкур имыбгынэмэ. Ар зыукIыр езы фыз бзаджэм и Iыхьлы гуэрщ, нэхъыбапIэм и дэлъхущ. ЛIэныгъэр Хьэдагъэ ущыкIуэкIэ, диным къегъэув, зэрыхъукIэ, нэхъ щыму ущытыну, зэрыпхузэфIэкIкIэ умыгъыну. Адыгэхэр къызыгурымыIуэхэм дежкIэ мыпхуэдэ гупсысэ щыIэщ. Куэдым гу лъатащ адыгэхэм я хьэдагъэм гуауэр щызыхамыщIэу фэ зэратетым. Псалъэм папщIэ, щIалэ цIыкIу зыфIэкIуэдыжа анэм нэщхъеифэ къытеуэркъым, и нэпс къехыуи ялъагъуркъым. А анэм нэщхъеягъуэ е гукъеуэ имыIэу аракъым къызэрыбгурыIуэн хуейр. Языныкъуэхэм ягъэIу сабий къэхъуныр уафэм къикI насыпыгъуэшхуэу зэрыщымытым щхьэкIэ, ар лIэжми и Iыхьлыхэм зыхамыщIэу. Апхуэдэукъым ар зэрыщытыр. Ныбжьэгъу е нэгъуэщI гуIакIуэ къэкIуар щIэкIыжа нэужь, анэр и лэгъунэм щIохьэжри магъ, ауэ щэхуу, и макъ къимыкIыу, мыгъынанэу, мыкIийуэ. Аргуэру зыгуэр гуIакIуэ къэкIуамэ, зызыпелъэщIыхьыжри, къэкIуахэм зэтеубыдауэ захуегъазэ. Зэтемыхуэу, зэпэщIэуэу зы Iуэхугъуэ хэлъщ мыбдежым къытеувыIапхъэу. Пасэм зы лIы цIэрыIуэ гуэр лIамэ, абы щхьэкIэ цIыхухэр зэхуашэсырти ягъагъхэрт. Зи псэ хэкIа къудейм и нэхэр хузэтрапIэж, ягъэпскI, дыхукIэ мэ IэфI ирагъэу, джэбын хужь кърашэкI, итIанэ гъыбзаIуэхэр щхьэщотIысхьэри, лIым фIыуэ хэлъахэр гъыбзэкIэ къраIуэтэкI. ЛIыхэм лIар кхъаблэм телъу кхъэлъахэм яхьри щIалъхьэ. Фызхэр хьэдэр щIалъхьа нэужь, гуп-гуп цIыкIухэу кхъэм макIуэ. Къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ Музыкэм, макъамэм щIыпIэшхуэ щаубыд адыгэм и дунейм. Абы лъэпкъыр егъасэ. Сыт хуэдэ уэрэдми лIыгъэмрэ щIыхьымрэ лъагэу щаIэт. Адыгэ къафэр куэдкIэ къыщхьэщокI къуэкIыпIэм щыIэ лъэпкъ къафэхэм. Европэ къафэхэм нэхъ пэгъунэгъущ. КъэфэкIэу щы щыIэщ. Ахэр: 1. Удж къафэ; 2. ЗэхуэкIуэ къафэ; 3. Шэшэн къафэ. ЗэхуэкIуэ къафэмрэ шэшэн къафэмрэ зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ утыкум зэдытохьэри къызэдофэ. Удж къафэм щIалэ, хъыджэбз куэд зэщIыгъуу къыщофэ. Дэтхэнэ къафэми макъамэ щхьэхуэ дэщIыгъущ. Пшынауэм псом я пащхьи пщIэрэ щIыхьрэ щегъуэт. ПсэупIэ унэмрэ фащэмрэ Дамаск икIыу Палестинэм кIуэ зыплъыхьакIуэхэм Джолан тхыщIыгур зэпичын хуей мэхъу. Абы къуажэу исхэм я псэупIэхэм щрохьэлIэ. Я унащхьэр кхъуэщын плъыжьу, щиху, хинэ жыгхэм къахэщу щилъагъукIэ, къегъэуIэбжьри гъэщIэгъуэн щохъу. Ауэ а теплъэ дахэм и IэфIагъыр щIэх дыдэу кIуэдыж пэтрэ, и гугъэ химыхыжу адэкIэ ирикIуэн хуейщ къуажэ гуэрым дыхьэху. Абы и нэм къыпэщIохуэ щIалэ цIыкIу, и щхьэм щыщIэдзауэ и лъакъуэм нэс фIыцIэкIэ хуэпауэ, и бгым къамэ кIэрыщIауэ, и бгъэ лъэныкъуитIым екIуэкIыу дыжьын хьэзырылъэхэр (шэ жыпхэр) тету. НэгъуэщI зы бзылъхугъи и щхьэм гуэгуэн тету, и пщампIэм Iудэхэр иIэу илъагъумэ, гукъинэж щыхъунущ. Лъэпкъ фащэр пасэм Римым и зауэлIхэм ящыгъа фащэм ещхьщ. Ар нобэр къыздэсым ящыгъщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы иджыри иропагэ. Мы фащэр апхуэдизкIэ егъэлеяуэ цIыхубэ щыгъынщи, Iэмал имыIэу къытегъэзэжауэ и гугъу нэхъ IупщIу щIын хуейщ. Джанэ фIыцIэм (зэзэмызи хужьщ) щIыIухэр пщампIэм нэсу тетщ. Абы къэпталкIэ йоджэ. Гъуэншэдж фIыцIэр и лъэгумкIэ епхащ. Джанэм и щIыIу теубгъуэн фIыцIэ телъщ, бгъэм деж мазэ ныкъуэ теплъэ къриту — абы цейкIэ йоджэ, бгым екъузылIащ. И щIыIум бгырыпх псыгъуэ телъщ, абы кIыцэхэр къыполэл, къамэр кIэрыщIащ. Къамэм тхыпхъэщIыпхъэхэр тедзащ. Цеибгъэм лъэныкъуитIымкIэ екIуэкIыу хьэзырылъэхэр тетщ. Хьэзырылъэхэм я щхьэр дыжьынщ. ПыIэри къэлъбакъ жыхуаIэращ. Европэ фащэр къэзыщта ефэндыхэм мы фащэр яфIэфIу щатIагъэ. Бзылъхугъэ фащэр хъулъхугъэ фащэм куэдкIэ къыщхьэщыкIкъым, ауэ и щэкIыр нэхъ къуэлэнщ. Бзылъхугъэ фащэр кIыхьщ, бостейкIэ йоджэ, Iэпкълъэпкъыр зэрыщыту щIехъумэ, и кIэмкIэ быхъущ, и пщэмкIэ зэвщ, бгъэм екъузылIауэ щытщ, уэзджынэм ещхьу. ЩIыIутелъым бостей кIэщI цIыкIу щIехъумэ, Iэгъуапэ кIыхьхэр пыту. Дыжьын бгырыпхыр тхыпхъэщIыпхъэкIэ гъэдэхащ, абы бгыр зэщIекъузэ. Щхьэр зэрахуапэри дыщафэ пыIэгуагуэщ, и лъагагъыр цIыхухъу пыIэм ейм хуэдизщ. А пыIэм щхьэц бла кIыхь, и бгъуитIымкIэ дамитIым къытелэлэжу, къедзэкIащ. Кавказ бзылъхугъэм вакъэ е пхъэ вакъэ щитIагъэу щытащ. Ар европей пхъэ вакъэм ещхьщ. Ауэ нобэкIэ ар нысашэм фIэкIа щыщатIагъэу плъагъуркъым. Мы лъэхъэнэм хьэрып щыгъыныр къащтащ. Ахэр щащыху ятепхъуауэ, я щхьэцыр щIэуфауэ къыдокI. ЦIыхухъу зыхэт зэхыхьэхэм яхыхьэркъым. Пхъэ вакъэхэр ямыгъэкIуэдыжу куэдрэ къагъэсэбэпащ. Адыгэ унэр и щIыбкIэ хьэрып унэхэм ещхьми, и кIуэцIкIэ тыншыпIэу щытщ. Пэшхэм я бжэхэр а зы пырхъуэм щызэIуахыу щытщ, пщэфапIэр нэхъ пхыдзащ. Бзылъхугъэр абы щолажьэ. Пэшхэм я нэхъ иныр унэлъащIэкIэ зэгъэпэщащ, пыIэтепхъуэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ. Iэнэр удз гъэгъакIэ гъэдэхащ. Кавказ унэ щIыкIэхэр куэду уолъагъу. Абы и пэшхэр сырэу зэгуэту щытщ. Я гупэм хьэщпакъ (IущIыхь) Iутщ, дэтхэнэ зы пэшми и бжэр хьэщпакъымкIэ къыщыIупхыу. Пэшхэр кIуэцIрыкIыбжэу щыткъым. Унэм пщIантIэ иIэщ, гъэмахуэм былымхэр жэщкIэ дэтщ. ХьэщIэщым и гугъу дымыщIу дыблэкI хъункъым. Абыхэм къищынэмыщIауи, гъавэ гъэтIылъыпIэу гуэн щыIэщ. Хъулъхугъи бзылъхугъи а зы пщIантIэм щызэдопсэу. ХуэщIауэ щымытхэми дэтхэнэ зыми пэш щхьэхуэ иIэщ. ЩIалэ къэзышари хъыджэбз дэкIуари адэ-анэм яхокIри, щхьэхуэу унагъуэ ящIри мэтIыс. Шхэгъуэм хъулъхугъэри бзылъхугъэхэри щхьэхуэ-щхьэхуэу машхэ. Адыгэхэр лы шхынкIэ ерыщщ. Ар тхъурэ дэ хьэжарэ зыхэлъ шыпсым дашх. ХадэхэкIхэм елIалIэркъым. МащIэщ ахэр зэрашхыр. Зэфэхэр шэ, шху, псы. Фадэм мащIэу ефэныр адыгэм игъэхьэрэмкъым. Жэщ гъуэлъыжыгъуэм тепIэнщIэлъынхэр къыдах, яубгъури мэжей. Нэху ща нэужь, тепIэнщIэлъыныр зэтрауплIэнщIэжри, пIэ гъэтIылъыпIэм далъхьэж. Бзэмрэ гъэсэныгъэмрэ Кавказыбзэхэм я лъабжьэр джыным куэд щIауэ щIэныгъэлIхэм мыхьэнэшхуэ ирату къекIуэкIащ. Япэу ахэр зыджар икIи зэхэзыгъэкIар Голденштедтщ, XVII лIэщIыгъуэм. А щIэныгъэлIым зэхигъэкIа лъэпкъхэмрэ бзэхэмрэ кIэщIу къэтхьынщ: — тэтэрхэр (тырку) — лезгинхэр (дагъыстэн) — кистинхэр (шэшэн) — осетинхэр (иран) — адыгэхэр (черкес) — картвелхэр (куржы) Мы япэ зэхэгъэкIыгъуэм щыщIэдзауэ XIX, XX лIэщIыгъуэхэм екIуэкIа къэхутэныгъэхэм къежьапIэ яхуэхъуащ фон Эскерт и лэжьыгъэхэр. 1892 гъэм абы итхащ Кавказым теухуауэ “Die Sprachen des Kaukasishen Stammes”. Мы щIэныгъэлIыр здынэсамкIэ, мы бзэхэм зы къежьапIэ, зы «анэ» яIэщ. Нобэ зэрыпсалъэхэу бзэ нэхъ зызыубгъуахэр: 1. Адыгэхэр (процент 95-рэ) 2. Абхъазхэр 3. Шэшэнхэр Шэшэныбзэу нобэкIэ хэщIыныгъэшхуэ зыгъуэтам зы зэман Кавказ къуэкIыпIэм нэхъ зыщиубгъуауэ щытащ. Сирием шэшэнхэр мащIэ-мащIэурэ хьэрыпхэм яхэпхъауэ зэрыщыщытым къыхэкIыу, хьэрыпыбзэкIэ мэпсалъэ икIи матхэ. Адыгэхэр я унагъуэ кIуэцIым зэрыщызэпсалъэр адыгэбзэщ. ЕджапIэм цIыкIухэм дерсхэр зэрыщыгурагъаIуэр адыгэбзэщ. Абы дэщIыгъууи франджыбзэри хьэрыпыбзэри зрагъащIэ. ЕджапIэхэм латин тхэкIэм зыщеужь. Абы теухуауэ лъагъуэхэр пхыша хъуащ, щIэгъэкъуэнхэр ягъуэт. ЗэкIэ зэрыщытым тепщIыхьмэ, адыгэ еджакIуэ цIыкIухэр йогугъу, гулъытэ яIэщ, я гупсысэкIэкIэ хьэрып щIалэ цIыкIухэм ятокIуэ, нэхъ ерыщхэщ, нэхъ мыщхьэхыу мэла- жьэ. Диныр Адыгэхэм я деж чыристан диным нэхъ зыщиубгъуауэ щытащ. НобэкIэ абыхэм муслъымэн диным и дауэдапщэхэр зэрахьэми, XV лIэщIыгъуэм Кавказым муслъымэн диным и лъэужь къыщылъагъуэртэкъым. Абхъазу Адыгэ ЩIыналъэм щыщхэм мы дызэрыт эрэм и ипэрей лъэхъэнэм щыщIэдзауэ чыристан диныр зэрахьэ. Чыристаныгъэм нэгъуэщI щIыналъэхэми зыщиубгъуауэ щытащ император Юстиниан Августым и тетыгъуэм. Абы и ужь иту мажусий диным XV, XVI лIэщIыгъуэхэм къегъэзэжри, тепщэу лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ йокIуэкI. Нобэр къыздэсым бзэм мыпхуэдэ тхьэцIэхэр хэтщ пасэу зыхуэпщылIахэм щыщу: Мериссэ — бжьэм и тепщэт; Уэрсэрыжь — гъуэгу тетыр къихъумэрт, къэхъун-къэмыхъунум щыгъуазэт; Лъэпщ — гъукIэным, лъэщагъым я тепщэт; Емышэ — дахагъымрэ гуакIуагъымрэ я тепщэт; Мардж, Табу — къэхъукъащIэ бзаджэм ущызыхъумэ теп- щэт. Мажусий диным илъэс 600-кIэ зиубгъуауэ щытащ. XVII лIэщIыгъуэм чыристан зауэхэр къыщыхъейм, абыхэм яжьри мы щIыналъэм къыщIихуащ. КъуэкIыпIэм щыщ чыристанхэр зауэм къыбгъэдэкIыжу къыщагъэзэжым, ящыщ куэд Адыгэ ЩIыналъэм къыщыувыIэри, щыпсэун щIадзащ. Европэ сатуущIхэр къадэIэпыкъуурэ, а дин лэжьакIуэхэм чыристаныгъэм зрагъэубгъуащ. Нэхъыбэу къадэIэпыкъур Венецием щыщ сатуущIхэрат, а лъэхъэнэм тетыгъуэр зиIахэрт. Чыристан диныр езыр тIууэ зэгуэщIыкIыным нэсауэ зэрыщытам хуэдэу, а лIэщIыгъуэм нэс зиубгъуащ. КъэхъукъащIэу КъуэкIыпIэм щекIуэкIахэм адыгэхэри зэрыхэтам и щхьэусыгъуэкIэ, мы щIыналъэм щыпсэухэм я диныр хуэм-хуэмурэ зыханэжри, муслъымэн динымкIэ загъэзащ. А къэхъукъащIэхэм нэхъыбэу къыхэбгъэщ хъунущ тыркухэм Константинополь (Истамбыл) къызэращтар. ЕтIуанэу — мамлюкхэм ящыщу КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыпсэуахэм Кавказым къызэрагъэзэжар. Апхуэдэ къекIуэкIыкIэмрэ щэн-къэщэхун зэIэпыхынымрэ зэхуигъэзащ кърым тэтэрхэмрэ Азие ЦIыкIум тепщэ щыхъуа тыркухэмрэ. ИужькIэ, Урысейр адыгэхэм къатегуплIэу щыхуежьэм, ТыркумкIэ загъэзащ. Абы къыхэкIыу жытIэ хъунущ XVIII лIэщIыгъуэм щIыналъэм исым я нэхъыбэм муслъымэн диныр къащтауэ зэрыщытар. Абы щхьэкIэ къэмынэу, хабзэжь зэрахьэу щытахэри, пасэрей диным къыхэкIахэри яхъумащ. НобэкIэ я диным и лъабжьэр муслъымэн суннитращ. Абхъазхэращ пасэ дыдэу чыристан диныр къэзыщтари, абы нэхъ хуэпэжу щытахэри. Мы лъэхъэнэм адыгэхэр я мэсхьэбкIи я фIэщхъуныгъэкIи муслъымэн суннитхэм къащхьэщыкIыркъым. Джоланым, Палестинэм, Иорданым исхэм я дин пашэу Кфар-Камэ дэс шейхъ Исхьэкъ и унафэм, и жыIэм щIэтхэщ. 1935 гъэм шейхъ Исхьэкъ дунейм ехыжа нэужь, Iимамхэмрэ дин лэжьакIуэхэмрэ динымкIэ тепщэныгъэр зэхуагуэшащ. Сирием накъшыбандийхэм (суфий гупщ) мазэ къэс щIыпIэ хэха гуэрым хасэ щрагъэкIуэкI. Абыхэм я нэхъыбэр ныбжькIэ хэкIуэтауэ щытхэщ, ауэ ныбжьыщIэхэри яхэтщ. Хьэрып Бунар зи цIэ тырку къуажэм дэс адыгэхэр псори накъшыбандийуэ жыпIэ хъунущ. Абыхэм тхьэмахуэм зэ е тIэу зэхуэс ящI. Апхуэдэ зэхуэсхэм бзылъхугъэхэри хэтыфынущ, ауэ хъулъхугъэхэмрэ бзылъхугъэхэмрэ зэпэщхьэхуэущ зэхуэсым зэрыхэтыр. Бзылъхугъэ зэхуэсым езыхэм ящыщ гуэрым бжьыпэр щиубыдыфынущ, и Iиманым, и хьэлэлагъым елъытауэ. Зыщыбгъауэ мыхъуну, накъшыбандийхэм лъэкIыныгъэшхуэ щаIэщ адыгэхэм я деж. ЕПЛIАНЭ IЫХЬЭ Адыгэхэр Джоланым итIысхьа зэрыхъуар 1878 гъэм адыгэхэр пщIы бжыгъэ хъухэу КъунейтIрэ щIыналъэм итIысхьащ. Тырку сулътIаным къарита щIыхэр мылъку яхуэхъун папщIэ илъэсипщIкIэ елэжьахэщ. Илъэс тIощIищ и пэкIэ абдежым адыгэхэр щитIысхьам, хьэрып къумырысхэр исащ: лIакъуэхэу фэдлыхэр, ныхьемхэр, бэхьатрэхэр, хьэудэджхэр, джатинэхэр, рифахьихэр, друзхэр. ЩIыналъэм и нэхъыбэр мывалъэу щытащ, ауэ мэл, Iэщ гуартэхэр щыкуэдт. ЩIыналъэхэм адыгэхэр къызэритIысхьам нэфIкIэ къеплъакъым друзхэри бедуинхэри. Адыгэхэм КъунейтIрэ къалэр жыджэру яухуат, щIыхьрэ щытхъурэ яхуэфащэу, сыту жыпIэмэ, абы щхьэкIэ къагъэсэбэпа Iэмэпсымэхэр къызэрыгуэкI дыдэхэт. КъунейтIрэр а лъэхъэнэм еблэгъапIэ пщIантIэ хъуат. А къалэм фэ къытеуа нэужь, адыгэхэр гушхуауэ нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыурэ къыдэтIысхьащ. ИтIанэ хуэм-хуэмурэ КъунейтIрэм пэгъунэгъуу нэгъуэщI къуажэхэри къэтIысащ. Абыхэм акъылыфIагърэ гупсысэрэ хэлъу щIыр къагъэщIэрэщIэжащ. Хьэрыпхэми друзхэми я гужьгъэжьыр ямыгъэтIылъами, КъунейтIрэм псынщIэу зиужьын щIидзащ. 1900 гъэм щыщIэдзауэ адыгэхэр абдежым щитIысхьэм, хьэрыпи друзи зэгуэмыпу къэнакъым, лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ ящIу ябжымрэ я тепщэныгъэмрэ яфIэкIуэду къалъытэри. Ауэ гужьгъэжьым и ткIиягъыр хуэмурэ ужьыхыжри, я зэхущытыкIэр мамырыжащ. Шынагъуэм гупсэхугъуэкIэ зихъуэжащ. Адыгэхэмрэ ахэр зыхыхьа лъэпкъхэмрэ зэхуаIэ зэпыщIэныгъэри нэхъ ефIэкIуащ, зэгурыIуэныгъэ яку дэлъ хъуащ. Псоми я фейдэ зыхэлъ гуэрхэми нэхъ благъэ зэхуищIахэщ. Ар хъарзынэми, Iуэхур нэгъэсауэ щыткъыми, зы тхьэмадэ къаугъэшы гуэрым имыщIапхъэ ищIэмэ, зэпэщIэувэныгъэр къэщIэрэщIэжынущ, мафIэри къызэщIэнэжынущ. Аращи, унафэр зыIэщIэлъхэр мыбэлэрыгъыу сакъын хуейщ, Iэуэлъауэ къамыгъэхъун папщIэ, къэхъуIами, псынщIэу ягъэсабырыжын хуейщ. Джолан нэхъ лъыгъажэ ину щекIуэкIар адыгэхэр къыщитIысхьагъащIэм 1879 гъэм Мансурэ къуажэм къыщыхъуаращ. Бедуинхэм япщ Фэдыл Хьэсэн Фагур-эмирыр я пэрыту, хьэудэджэ лIакъуэм япщ Абдул-Хьэзиз я пашэу адыгэхэм къатеуат. ФIыуэ зэзэуа нэужь, шейхъ Абдул-Хьэзиз яукIащ. Къэралым зы лъэсырызекIуэ полк къигъакIуэри, зауэр ягъэувыIащ. Ауэ махуэ зыбжанэ дэкIауэ адыгэхэм заIэтщ, хьэрыпхэм ятеуэри, Iэщ гуартиблрэ мэл минищэрэ трахри кIуэжахэщ. ИужькIэ адыгэхэмрэ бедуинхэмрэ мамырыгъэ тхылъ зэдатхащ афIэкIа зэмызэуэну, Iэи щIадзыжащ. А зэгурыIуэныгъэм щIы и лъэныкъуэкIэ адыгэхэм фIыгъуэ къахудэкIуащ. 1888 гъэм друзхэри Мансурэ къуажэм деж къащыпэщIэуващ адыгэхэм. Къуажэдэс адыгэ гуэрым друзхэр къытеуэри, и бзылъхугъэр гъэру яхьащ. Къэралым къаугъэр къигъэувыIэн папщIэ, лIыкIуэхэр къигъэкIуащ. Абыи емыплъу адыгэхэм Гъейн-Хьур (Мансурэм пэгъунэгъу къуажэщ) щыпсэу друзхэр фIагъэжащ. Зауэм зиубгъуащ. Друзхэм Фархьан-ал-Шагъланыр я пашэу Мансурэ къуажэм къытоуэри ягъэс. А зэхэуэм друз нэрыбгищэ, адыгэ тIощIищрэ щырэ хокIуадэ. Куэд дэмыкIыу адыгэхэм ялъ ящIэж: 1889 гъэм ахэр IэщэкIэ узэдауэ Мэдждэл-Шамс, друзхэм я нэхъ къалэшхуэм, Ансыкъуэ Ахьмэд-бей я пашэу тоуэри, друзхэр ирагъэкIуэт, ахэр щIопхъуэри къуршым йохьэж, мыдрейхэм щIэпхъуэжахэм я унэхэр къахъунщIэри ягъэсыж. А зэпэщIэтыныгъэм адыгэхэм текIуэныгъэр лъапIэу къащыIэрыхьащ: нэрыбгищэ хэкIуэдащ, Ансыкъуэ Ахьмэди яхэту. Мы хьэргъэшыргъэм Тырку къэралыр къегъэуIэбжьри, лIыкIуэ гуп къегъакIуэ: Мамдухь-Нури, Хъусроф, Абдул-Рэхьман пащэхэр я нэхъыщхьэу. Абыхэм мамырыгъэр лъэ быдэкIэ ягъэув. Адыгэхэм зэрызаужьар, политикэ зэныкъуэкъухэр, нобэрей щытыкIэр Адыгэхэр Джоланым къызэритIысхьэрэ гугъуехьым хэмыкIыу къогъуэгурыкIуэ. 1878 гъэ лъандэрэ адыгэхэр зы лъэныкъуэу, мы щIыналъэм куэд щIауэ щыпсэу друз-хьэрыпхэр нэгъуэщI зы лъэныкъуэу зоныкъуэкъу. 1925 — 1926 гъэхэм друзхэм революцэ дощI жаIэу зыкъыщаIэтым, ди зэуакIуэу ахэр зэхэзыкъутахэм я нэхъыбэр адыгэт. Ахэр дэ пэжу, лIыгъэ яхэлъу, жыджэру къыдгуэуващ. Адыгэхэм я нэхъыбэр ди телъхьэти, ахэр IэщэкIэ зэщIэузэдэныр ди хэкIыпIэт. КъызэрыIэтахэр ягъэужьыхыжри, гъащIэри зытетам теувэжащ. 1926 гъэм щегъэжьауэ друзхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхуаку зи гугъу пщIын хуэдэ къэхъукъащIэ къыдэхъуакъым. А зэныкъуэкъур зэриухыу, Франджым псэемыблэжу зэрыхуэлэжьар ящымыгъупщэу, а хущытыкIэм пщIэ къыхуащIыну къэралыр къыхураджащ адыгэхэм. Абыхэм КъунейтIрэм парт къыщызэрагъэпэщ, езы къалэм, Дамаск, Хьомс, Хьэлэб щыщ лIыкIуэхэр хэту. 1926 гъэм фокIадэм и 30-м а партым франджы лIыкIуэу Сириер зи IэмыщIэ илъым мыпхуэдэ лъэIукIэ зыхуигъэзащ: 1. Адыгэ лIыкIуэхэм Къэрал Хасэм, ЛIыкIуэ Хасэм, Администрацэм зыхуагъазэ езыхэм я лIыкIуэ зыхагъэхьэну; 2. ЯIэщIэлъ Iэщэхэр къыхуагъэнэжыну; 3. ЗэпэщIэтыныгъэм хэкIуэдахэм къащIэна я унагъуэхэм, бынхэм, ныкъуэдыкъуэ хъуахэм зыкъыщIагъэкъуэну; 4. КъунейтIрэ къалэми къэралми къулыкъуу щыIэхэм ящыщ адыгэхэми ялъыгъэсын, езы КъунейтIрэ къалэм и супрефектурэр префектурэкIэ зэхъуэкIын. 5. КъунейтIрэм курыт еджапIэ дэщIыхьын, КъунейтIрэ, Хьомс, Хьэлэб щыщ адыгэ щIалэхэм щыщу нэрыбгипщIым хабзэ гъэувакIэ чысэ (стипендие) къратыну унафэ къэщтэн. 6. ЗэпэщIэуэ гуэр адыгэхэмрэ хьэрып лъакъуапцIэхэмрэ (бедуинхэмрэ) я зэхуаку къыдэхъуэмэ, щIыналъэм щызекIуэ хабзэхэр адыгэхэм къагъэсэбэпыфын хуэдэу, хуитыныгъэ яIэн. Мыпхуэдэ лъэIухэр гъэхьэзырыным политикэ и лъэныкъуэкIэ адыгэхэм еплъыкIэ зэхуэмыдэ яIэ хъуащ: зы гупыр унафэ зыIэщIэлъхэм ятегъэщIауэ, адрейхэм Сирие националистхэм нэхъ зыдрагъэкIуу. Унафэр зыIэщIэлъхэм я телъхьэхэр консерватору ябжырт, ахэр хущIэкъурт адыгэхэм я хуитыныгъэ хэгъэщхьэхукIахэр къахъумэну. 1927 гъэм Сирием ис адыгэ псори унафэр зыIэщIэлъым къыдэщIынымкIэ зы хъуахэщ. Адыгэ тхьэмадэхэр, зэрыхъукIэ, хэтщ лъэпкъым телъ гугъуехьхэр щхьэщахыну. Псом нэхъапэу: 1. Тырку гражданствэр трахыжыну; 2. И Хэку имысыж дэтхэнэ зы адыгэри Сирием къэIэпхъуэну хуитыныгъэ иIэну; 3. АдыгэбзэкIэ щеджэну еджапIэхэр къызэIуахыну; 4. Адыгэпсэр цIыхухэм яхэпщIэн папщIэ, адыгэбзэкIэ газет, журнал хуэдэхэр къыдагъэкIыныр; Унафэ зыIэщIэлъхэр мы лъэIухэм щыщу тIумкIэ арэзы хъуащ: 1. Франджыр хыхьэри, Тыркум иригъэдащ я гражданствэр къамыщтэну; 2. «Маржэ» газетыр къыдагъэкIыну. «Маржэ» газетым и япэ къыдэкIыгъуэр 1927 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м хуэзащ. Абы къалэну зыхуигъэувыжащ Сирие щыпсэу адыгэхэм я деж адыгагъэм, адыгэ хьэл-щэным къыщыщхьэщыжыну, адыгэ хьэлыр ихъумэну, адыгэхэр псэкIэ зэщхь ищIыну. ИпэжыпIэкIэ япэрей махуэм щыщIэдзауэ газетым и къыдэгъэкIын, зехьэн Iуэхухэр махэ хъууэрэ екIуэкIащ. ГугъапIэ лъагэу иIахэм лъэIэсакъым. Щхьэусыгъуэхэм язщ ар латин хьэрфкIэ ятхыну яужь зэрихьар. Адыгэхэм нэхъ акъылыфIэу яхэтахэр гупитI зэрыгъэхъури, зыри ящIэфакъым. Хьэрыпу къахэтхэм газетыр къыдамыгъэкIынымкIэ ялъэкI къагъэнакъым. АбыкIэ хьэрып националист прессэм и арэзыныгъэ къалъыхъуэрт. 1928 гъэм щегъэжьауэ хуэм-хуэмурэ ужьыхыжурэ газетыр къыдэмыкIыжыххэ хъуащ. «Адыгэ щIэныгъэлI зэкъуэтхэм», 1928 гъэм зэхыхьауэ щытахэм, лъабжьэ яхуэхъуар «Маржэ» газетым щылэжьахэращ. 1928 гъэм адыгэ зэхэтыкIэр нэхъ къыдгурыIуэ хъуащ. Ди акъылми гупсысэ пыухыкIахэр илъ хъуащ адыгэхэр хэт и телъхьэ хъунуми, дэнэкIэ загъэзэнуми къытхуэщIэн хуэдэу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а гъэм хэхыныгъэр екIуэкIырти, КъунейтIрэм нэрыбгитI щызэпеуэрт: зыр эмир Фагурщ, ар хьэрыпхэм я лъэныкъуэкIэ текIуащ. Адрейр — Издин Сулеймэн и къуэщ, ар адыгэхэм къагъэлъэгъуащ. Езыхэр абы Дыгъужь ИздинкIэ еджэрт. ЦIыхухэм нэхъ зызыщIагъэкъуар Издинрат, абы и ужь иувахэт. Абы адыгэ псоми я пхъэидзэр къихьри текIуат. И хэхыныгъэ зэпеуэри губзыгъагъэ хэлъу гъэпсат. Унафэр зыIэщIэлъхэри абы и щIэгъэкъуэнт. Езы Издини адыгэхэм яфI зыхэлъым фIэкIа злэжьынукъым щыжиIэм, псоми Iэ хуаIэтащ. Ауэ ар парламентым зэрынэсу, и еплъыкIэхэр хьэрып националистхэм яйм техуэ хъури зихъуэжащ. Апхуэдэ зекIуэкIэр хьэрыпхэми абыхэм къадэщI адыгэхэми ягу ирихьащ. Ауэ езы адыгэхэм яку зэгуэчыныгъэшхуэ къыдигъэхъуащ, иужькIэ къэкIуа илъэсхэм ныбжь ятридзэу. ЗэгъэуIуакIуэ Хасэм (Учредительное Собрание) и лэжьыгъэр зэрыувыIам къыхэкIыу, мы лIыкIуэм езым и акъылэгъухэр къигъэдэIуэфащ и Iуэху еплъыкIэр пхигъэкIынымкIэ. ЩIыналъэм хьэлэбэлыкъышхуэ къыщигъэхъеящ а лIым. 1928 гъэм, «Адыгэ щIэныгъэлI зэкъуэтхэм», сыт хуэдизу хущIэмыкъуами, щытхъу зыхуэфащэ я жэрдэмхэр пхагъэкIыфакъым. 1930 гъэм адыгэхэм я зэхуаку зэфIыныгъэ гуэрхэр къыдэхъуэж хъуащ 1931 гъэм екIуэкIыну хэхыныгъэм папщIэ. Абы и фIыгъэкIэ зи Iэ зыIэтынухэм я бжыгъэми хэхъуащ, адыгэ щIалэщIэ Сэмгугъу Iэмин лIыкIуэу хахащ. Мы лIыкIуэм ипэкIи иужькIи цIыхубэм я гугъапIэр игъэщIэхъуакъым. Абы и фIыгъэкIэ «Адыгэ щIэныгъэлI зэкъуэтхэр» зэхэша хъуащ, адыгэ еджапIэхэри къызэIуахащ, гъэлъэгъуэныгъэ куэди утыкум нэсащ. 1933 гъэм Сирием и Комиссар Нэхъыщхьэм, адыгэхэм я нэхъыбэр и телъхьэу, Тетыгъуэм зыхуегъазэ мыпхуэдэ лъэIухэмкIэ: 1. Сирием щыIэ адыгэхэм я лIыкIуэ парламентым хэтыну; 2. Адыгэхэр зэрыс щIыналъэхэм адыгэбзэ зыщIэ къулыкъущIэхэр унафэщIу щагъэувыну; 3. Къэралым и къулыкъущIакIуэу щытахэм е дзэм хэтахэм, адрей лъэпкъхэм щыщхэми хуэдэу, я хьэкъыр къаIэрыхьэжыну; 4. Адыгэ къуажэхэм къэралым епхауэ дэт пэщIэдзэ еджапIэхэм адыгэбзэ щрагъэджыну хуитыныгъэ яIэну; 5. Адыгэ щIалэхэу Сириеми Европэми щеджэхэм къэралым стипендие хухахыну; 6. АдыгэбзэкIэ прессэ яIэну хуитыныгъэ иратыну; 7. Адыгэ еджапIэхэр зезыхьэхэри абыхэм якIэлъыплъхэри езы адыгэхэм я гуп щхьэхуэхэм къыхахыжыну хуит ящIыну; 8. Зэхуэс-зэхыхьэхэр, Хасэхэр къызэрагъэпэщу я лъэпкъ мащIэм и фейдэ зыхэлъ пхагъэкIынымкIэ хуитыныгъэ къратыну; 9. Муслъымэн псапащIэ мылъкум адыгэхэм я Iыхьи хэлъыну; 10. Адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадекIуэкI хабзэхэм тету къадэпсэу лъэпкъхэм зэгурыIуэныгъэ иращIылIэну хуитыныгъэ яIэну. Къэшэн-дэкIуэн дауэдапщэхэри езы адыгэ дин лэжьакIуэхэм зэфIагъэкIыну хуит ящIыну. Мы лъэIухэм кърикIуэу, унафэр зыIэщIэлъым адыгэхэр хуит ищIащ адыгэбзэкIэ щрагъаджэу пэщIэдзэ еджапIэ къызэIуахыну. ЕгъэджакIуэхэр Сирием ЩIэныгъэмкIэ и министерствэм къигъэкIуащ, я улахуэр къиутIыпщащ. Абы къинэмыщIауи, адыгэхэр дэнэкIи хуит щыхъуащ гупжьейхэр къызэрагъэпэщурэ ящыщхэм ядэIэпыкъуну. А гупжьейхэм ящыщу нобэ нэхъ жыджэру лажьэхэр Дамаскрэ КъунейтIрэрэ дэтхэращ. Сэмгугъу Iэмин, парт ныкъуэкъуэгъухэм щхьэкIэ къэмынэу, езы КъунейтIрэ и Iэтащхьэ хъури, къалэр 1932 — 1935 гъэхэм мамыру щытащ. Езы лIыкIуэ ныбжьыщIэр парламентым и лэжьыгъэр щызэпыум, абы хэкIыжри и къалэ, и лъэпкъ и фейдэ зэрихуэу псэуащ. 1935 гъэм адыгэ еджапIэм къихьа саугъэтыр апхуэдизкIэ телъыджэти, абы къигъэлъэгъуащ лъэпкъым и жыджэрагъыр, адыгэхэри нэхъ къэгушхуащ. Мы щытыкIэм зиукъуэдиипхъэщ икIи дыщогугъ мы лIыкIуэ ныбжьыщIэм къыкъуэувэну тIэкIу зизылъэфыхьхэу: Издин хьэжы Сулеймэн — лIыкIуэу щытащ; Сэлим Закарие — къалэ Iэтащхьэу лэжьащ; Гъасым Мэхьмуд — тхьэмадэ; Бэдраддин Аль-Муфти — тхьэмадэ; Ансыкъуэ Гъариф — супрефекту щытащ; Дин лэжьакIуэхэри цIыхубэм я нэхъыбэри тепщэм и телъхьэщ икIи хьэзырщ хэти пэщIэувэну. Япэрей гуэдзэн Адыгэ лIакъуэхэр Адыгэ лъэпкъым щыщу лIакъуэ 13 къедбжэкIынщ, алыфбеймкIэ зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу: 1. Абазэхэр; 2. Абазэхэхэр; 3. Адэмейхэр; 4. Бжьэдыгъухэр; 5. Беслъэнейхэр; 6. Шапсыгъхэр; 7. Хьэтыкъуейхэр; 8. Жьанэхэр; 9. Къэбэрдейхэр; 10. КIэмыргуейхэр; 11. Мэхъуэшхэр; 12. Натхъуэджхэр; 13. Убыххэр; Мы лъэпкъхэм щыщхэр Сирием щопсэу, абыхэм къищынэмыщIауи, шэшэн, дагъыстэн, къущхьэ (осетинхэр) щопсэу. Мы иужьрейхэр Кавказ лъэпкъ курыкупсэхэщ, адыгэхэм лъыкIэ япыщIахэщ. Адыгэхэм Кавказыр къыщабгынэм мыхэри къадикIащ. Абазэ лъэпкъыр Абазэхэр Абхъазым щыпсэурт, абы Кавказым и IыхьэфI еубыд. Ахэр лъэпкъхэм я нэхъ цIэрыIуэ, нэхъ жыджэрхэм ящыщщ. КъызэраIуэтэжымкIэ, абазэхэр «абазэ» и цIэу хьэрып гуэрым къытехъукIыжахэщ. Ауэ абы лъабжьэ иIэкъым тхыдэ и лъэныкъуэкIэ. Муслъымэн диныр къежьа нэужь, къурейш лъэпкъым къахэкIауэ лъэпкъ куэдым жаIэ хъуащ. Абхъаз щIыналъэхэм мы жылагъуэхэр итщ: Самурзакан, Чибелдэ, Абшаназ, Алди-кесек, Башхагъ, Кизилбек, Чикарко, Бракъей, Мудауей. Абазэ лъэпкъым щыщ куэд Хьомс, КъунейтIрэ щIыналъэхэм щопсэу. Адэмей лъэпкъыр Адэмей лъэпкъыр нобэкIэ Кавказ Ищхъэрэм щопсэу. Зы таурыхъ гуэрым мыпхуэдэу жеIэ: Македонием щыщ Александрышхуэм зы жыг адэмей щIыналъэм щыхисати, ар дуней псом жыгыу тетым я нэхъ ин хъуащ. Пасэм адэмей лъэпкъым шу минищ (3000) игъэшэсыфу щытащ. Ауэ и тетыгъуэми и цIэрыIуагъми тIэкIу кIэрыхуащ. Ахэр мащIэщ, адыгэ жылагъуэу Сирием щыпсэухэм елъытауэ. Бжьэдыгъу лъэпкъыр Бжьэдыгъухэр лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм хабжэ. Хэкум зэрыпхъуакIуэхэр къыщихьэкIэ, адыгэхэм я нэхъыбэр къуршым ихьэжырти, захъумэжырт. Бжьэдыгъухэр тафэм къытенэ хабзэти, щIы нэхъ пшэрхэр къахуэнащ. Бжьэдыгъухэм «нарткIэ» еджэу лIы пIащэхэр яхэтауэ жаIэ, абы иропагэхэр. Псэлъафэу къэнащ «Зы нарт закъуэр лIы мин пэлъытэщ». Хьэтыкъуей Лъыпкъыжь дыдэщ, абыхэм языхэз зэгуэрым Кавказым и пщу щытыгъащ, Зилэтокъуэ и цIэу. Мы лъэпкъым щыщ унагъуэхэми уащрохьэлIэ Сирием. Шапсыгъхэр Шапсыгъхэм я тхыдэр хьет тхыдэм пыщIащ. ПасэреибзэкIэ «шапсыгъ» жиIэмэ, «шы зыгъэхъу» къикIыу щытащ. Мы лъэпкъыр нобэкIи шы гъэхъункIэ цIэрыIуэщ. Сирием Хьомс, КъунейтIрэ къалэхэм щопсэу. Къэбэрдейхэр Адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ цIэрыIуэ дыдэщ. Я хабзэрэ хьэл-щэнрэ ягъэлъапIэ икIи ткIийуэ яхъумэ. Къэбэрдейхэр тхьэмадэ Тамбий Къэбардэ къытепщIыкIыжахэщ. Ар икъукIэ лIы бланэт. Абы къытехъукIа унагъуэхэр Кавказым щопсэу. Къэбэрдейхэр VI лIэщIыгъуэм Каспий хым и къуэкIыпIэм щыпсэууэ щытащ. Иджы абы и къухьэпIэр яубыдащ. Сирием и Хьэлэб, Ракъкъэ, Хъэнасир къуажэхэм щопсэухэр. Мы лъэпкъым щыщ куэд «Адыгэ Шуудзэ Гупым» хыхьащ. Абыхэм ящыщщ капитанхэу Уэсмэн-бейрэ Тауфикъ-бейрэ. Мы офицеритIым я адэ къуэшыр къэбэрдей лъэпкъ тхьэмадэ пэрытхэм языхэзт. Убыххэр Мы лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэр куэдрэ ихъумащ. Езыхэр лIы бланагъкIэ, хахуагъкIэ цIэрыIуэхэщ. Я псэлъэкIэр адрей адыгэ лъэпкъхэм я бзэм фIыуэ къыщхьэщокI. Дагъыстэнхэр Дагъыстэнхэр Кавказым и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ Iыхьэм щопсэу, къурши, тафи хиубыдэу. Абы хохьэ: 1. Ищхъэрэ Дагъыстэныр: Шомхъатэрэ Матохъэрэ. 2. Курыт Дагъыстэныр, абы ТаркинкIэ йоджэ, абдеж щыпсэу лъэпкъым и цIэкIэ. Абыхэм ящIыгъущ къаркъулакъ лъэпкъри. 3. Ипщэ Дагъыстэныр. Абы къызэщIеубыдэ щIыналъэхэу Коринрэ Коблинрэ. Дагъыстэн щIыналъэм ис цIыхухэми дагъыстэнкIэ йоджэ. Ахэр зауэлIхэщ, лIы бланэхэщ. Кавказым и лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэ муслъымэн диныр къэзыщтар дагъыстэнхэращ. Абыхэм я деж къикIри, Кавказ псом зыщиубгъуащ. Дагъыстэн къуршхэр нобэр къыздэсым нэгъэсауэ цIыхухэм къахутауэ щыткъым. Езы цIыхухэми яфIэфIкъым а щIэныгъэр куу хъуну, хамэм ирамыгъащIэмэ нэхъ къащтэ. Дагъыстэнхэмрэ я гъунэгъу урысхэмрэ я зэхуаку къаугъэ къитаджэмэ, къуршхэм йохьэжри, бийм ткIийуэ къапэщIоувэ. Нобэр къыздэсым совет къэралыр бэлыхь хагъэтщ. Зыкъом хэтщ, хъунщIакIуэ хуэдэу гуп зэрыгъэхъуауэ, большевикхэм яIэщIэлъ Iэщэр зыIэрагъэхьэну. КъунейтIрэ къалэм дагъыстэнхэр адыгэхэм яубыд псэупIэхэм къащыдопсэу. Шэшэнхэр Шэшэнхэр Кавказ лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. ЗэрыжаIэмкIэ, ахэр адыгэхэм ящыщу къыщIэкIынри Iуэхум хэлъщ. Шэшэнхэр цIэрыIуэхэщ я лIы бланагъэмрэ тегушхуэныгъэмрэ делагъэм зэрынэсымкIэ. Я фащэр адыгэ фащэращ. Я дахагъэм, я пкъыфэл зэкIужым нэр пIэпех жыхуаIэм хуэдэщ. ЦIыху щабэу плъагъу щхьэкIэ, зауэм икъукIэ щыпхъашэхэщ. Урысым Кавказыр къиубыдыну щыхущIэкъуа зэманым шэшэнхэр и бий фIыцIэхэм ящыщт. Шэшэнхэм Сирием Евфрат щIыналъэм уащыхуозэ: Рас-ал-Гъейн, Сафэ, Гош, Тел-ал-Румен къуажэхэм. Хьэсакэ щIыналъэм и шуудзэм шэшэнхэр щIэгъэкъуэнышхуэ яхуэхъуащ. ЕтIуанэ гуэдзэн 1. Адыгэ шуудзэ гупыр Сирием щыпсэу адыгэхэр 1920 гъэм къыщыщIэдзауэ ди дзэм хэтхэм ящIыгъуу Кемал Ататюрк и пэшэгъухэм Хьэлэб, Евфрат, Силисэ щIыналъэхэм щозауэ, «ЩIыпIэ жандармэми» хэтщ. Япэ дыдэу «Адыгэ шуудзэ гупыр» къызэзыгъэпэщар Алжир фочауэхэм я лейтенант Коллещ. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа зэрыпхъуакIуэхэм я хъыбар щызэхихым, 1922 гъэм и мэкъуауэгъуэм и цIыхугъэхэм, нэхъыбэу адыгэхэм, запищIащ. Абдежым гу лъитащ абыхэм я лIыгъэм, я пэжагъым, пагагъым. 1922 гъэм и бадзэуэгъуэм къызэрагъэпэща япэрей адыгэ шуудзэм «Адыгэ жандармэ шуудзэ пIалъэрымыс» фIащащ. Абы хэт зауэлIхэр цIэрыIуэ хъуат Сирием лей щызезыхьэ кемалистхэм (Кемал Ататюрк и телъхьэхэм) япэщIэтынымкIэ. 1925 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м друз зэныкъуэкъур къэхъеящ. ШыщхьэIум и 3-м Мазрагъэт-Сиджыным деж генерал Мишо и дзэ гупыр къыщызэтракъутащ. Абы и ужькIэ генерал Гамелин Джэбэл-друзым щригъэкIуэкI бэнэныгъэм ар щызыдигъэIэпыкъуну «Адыгэ шуудзэр» къыхуриджащ. ПлъырынкIи, пэжыр къыщIэгъэщынкIи адыгэ шуууейхэр зауэ хуэIухуэщIэхэм зэрахуэIэрыхуэр псынщIэу нэрылъагъу хъуащ. Суейдэ къалэм дэт быдапIэр друзхэм къаувыхьауэ бадзэуэгъуэм и 23 лъандэрэ яIыгъыу, фокIадэм и 25-м ар Адыгэ шуудзэм къищтащ. А зэманым ирихьэлIэу Суейдэ къалэм нэгъуэщI зауэлIхэри щызауэрт, быдапIэм и блын лъабжьэм зыщагъэбыдауэ. 1925 гъэм и жэпуэгъуэм зэщIэхъееныгъэм зеубгъури, Дамаскрэ Ливаным и къуэкIыпIэ бгыхэмрэ нос. БжыгъэкIэ куэд зэрымыхъум хуэдэу, Адыгэ шуудзэр Къалгъэт Джэндэлым ягъакIуэ пэтрэ, щэкIуэгъуэм и 2 — 3 жэщым гъуэгум друзхэр къащытоуэ. Ахэр зыбжанэрэ ирагъэкIуэтыжу, унэ къуагъхэр быдапIэ ящIурэ адыгэ шууейхэр къикIуэт ямыIэу зэуахэщ. Лейтенант Колле хьэкъыу пхыкIат апхуэдэ шууей телъыджэхэр къыумыгъэсэбэпыныр зэрыщыуагъэр. Абы къыхэкIыу, Франджым и Дзэм унафэ зыIэщIэлъым и деж Колле тхыгъэ иригъэхьащ Адыгэ шуудзэм хуэдэу эскадрон гупищ къызэрагъэпэщыну къыхуриджэу. УнафэщIхэм ар къабыл ящIащ. 1925 гъэм щэкIуэгъуэм и япэрей махуэм Адыгэ шуудзэ гупхэр къызэрагъэпэщащ. Абыхэм я бжыгъэр 1926 гъэм и жэпуэгъуэм эскадронипщIым нэблэгъащ. Мыбдежым адыгэхэм гугъуехь гуэрхэр къахудэкIащ. Япэрауэ, шуудзэхэр къызэгъэпэщыныр мылъкукIэ хуэмыщIа адыгэ жылагъуэхэм къайхьэлъэкIырт. ЕтIуанэу, дэтхэнэ зэхэуэми ягъакIуэ шуудзэхэм ящыщу куэд хэкIуадэрт. Абы къыхэкIыу, мэкъуауэгъуэм и 26-м капитан ящIа Колле унафэ къищтащ адыгэ шуудзэхэм исмаилитхэр хагъэхьэну. Мисиаф, Къидмус, Саламие щIыналъэхэм къришри, лIы бланэхэу, франджы лъэныкъуэм и телъхьэ щIалэхэу КъуэкIыпIэ Алэуин бгыхэм зыкъыщызыгъэлъэгъуахэр адыгэ шууейхэм гъусэ яхуищIащ. Зэрынэрылъагъущи, и щхьэ течауэ жыдмыIэпэми, цIыхухэр къызэрыIэтыху, зауэлI щхьэхуэ хъуми, гуп-гупу зауэхэми, адыгэ шуудзэхэр щIэгъэкъуэнышхуэ къытхуэхъуащ. ЗагъэхъеинкIэ псынщIэу, езы щIыналъэми и пIалъэр ящIэу, адыгэ шууейхэм куэд яхузэфIэкIащ бзаджащIэхэм япэщIэтынымкIэ. 1925 — 1926 гъэхэм къыхэкI ямыIэу зауэ IэнатIэм зэрыIутымкIэ адыгэ шуудзэхэр цIэрыIуэ хъуат. Мэджэл-Шамс (1925 гъэм и дыгъэгъазэ — 1926 гъэм и накъыгъэ), ГъутIэм (1925 гъэм и дыгъэгъазэ — 1926 гъэм и гъатхэпэ), Къатанэ къалэм (1926 гъэм гъатхэпэм и 15-м) хуэдэ щIыпIэхэм щекIуэкIа зауэхэм шуудзэм щыщу IэщэкIэ зэщIэузэда полкитIым къащытеуэри хэщIыныгъэшхуэ къратащ. Накъыгъэм и 31-м Джубатул Хьэшэб километр 60-кIэ нэхъ пэмыжыжьэу Адыгэ шуудзэ гупыр нэхущым деж Ахьмэд Мреуд и щIэпхъаджащIэ гупым теуауэ щытащ. Адыгэхэм хэщIыныгъэ ягъуэтами, автоматиплI бандитхэм къытрахауэ щытащ. 1926 гъэм и щэкIуэгъуэм Ладждэ деж зэхэуэ щекIуэкIам и ужькIэ Адыгэ шуудзэр щIэрыщIэу къызэрагъэпэщыж, 1927 гъэм абы КъуэкIыпIэм щыIэ нэгъуэщI зауэлI гупхэр къыхагъэхьэжри, «КъуэкIыпIэ шуудзэ псынщIэ» къыфIащ. Абы хэт полкхэм я бжыгъэр 19-м нэсырт. Сирием щекIуэкIа бунтхэм щыщу иужьрей ехъулIэныгъэу адыгэ шууейхэм ягъэзэкIуэжар Издин Абдулкъадыр и щIэпхъаджащIэ гупымрэ езымрэ Дрейджэ, Балам фермэм и деж зэрапэщIэтар аращ. Езы Издин Абдулкъадыр накъыгъэм и 19-м яукIащ. Адыгэ шууейхэм я щIыхькIэ мазэ 21-м и кIуэцIкIэ фIыщIэ тхылъ лъапIэу 7 къыдэкIащ, «Франджыдзэ Iэтащхьэм Iуэхутхьэбзэ хуащIам папщIэ». Офицерми, къуэдзэми, шуудзэлI къызэрыгуэкIми а зауэхэм нэрыбгэ 302-рэ хэкIуэдащ, 600 уIэгъэ, зыгуэрхэр ныкъуэдыкъуэ хэхъухьащ. А псор дэркIэ щыхьэтщ адыгэхэр зэуэным къызэрыхуигъэщIам икIи къызэрытхуэпэжым. 1927 гъэм щегъэжьауэ Адыгэ шуудзэ гупхэм, я бжыгъэр 8-м нэсу, мылицэ къалэнхэр Дамаск и Iэгъуэблагъэм щагъэзэщIащ. Абыхэм я фIыгъэкIэ мамырыгъэр ефIэкIуащ, езыхэми нэхъ заужьыну Iэмал ягъуэтащ. 2. ЗэхэтыкIэмрэ фащэмрэ Адыгэ шуудзэ гупыр сыт щыгъуи майор Колле и унафэм щIэтащ, дэIэпыкъуэгъуу зы франджы лейтенант яIэщ. Эскадронийм хэтхэм ящыщу дэтхэнэ зыми зы франджы унафэщI бгъэдэтщ. Абы и унафэм зы лейтенант е капитан нэхъыжьу дэщIыгъущ. ЩIыналъэм щыщ офицерхэми шуудзэлI къызэрыгуэкIхэми зытесын шы, шыуан, шхуэ, шым ирагъэшхын Iус хуэдэ ерыскъыпхъэ, щыгъынхэри къызыщIэкIын улахуэ кърат. Я Iэщэр франджы Iэщэщ, абырэ шэхэмрэ Iэтащхьэм кърагъэщэху. Абыхэм я зыхуэпэкIэм и гъэпсыкIэр Iуэхур тыншу зэфIэзыгъэкIхэм ящыщщ: махъшэ чырэм хуэдэу зэкIэрыщIэжауэ зэрызелъафэу гъуэгу темыту, дэтхэнэ зауэлIми езым зехъумэжыф. Дзэм хэтым и фащэ Iуэхур 1931 гъэм мазаем дубзыхуащ мыпхуэдэ щIыкIэу: 1. ЗекIуэ фащэр щIымахуэм шухьэм, гъэмахуэм — щэкIым къыхэщIыкIащ. Офицер дыкIэу да джанэу плIы, зы гъуэншэдж кIэщI, фэм къыхэщIыкIа вакъитI, бгырыпх, дыжьыныфэ дамэтелъхэр. Адыгэ шуудзэ гупым я дамыгъэр — кхъухь уфафэм тет лагъым хъурей цIыкIущ. 2. ЩIымахуэ фащэ зыкъизыхыр (параднэ) адыгэ фащэм къыщхьэщыкIыркъым: къэптал фIыцIэ, и пщампIэр лъагэу, абы и щIыIу цей фIыцIэ телъщ, адыгэ пыIэ, вакъэ — псори фIыцIэу. Дамэхэм щхьэрыхъуэн (бащлъыкъ) къеубгъуэхащ, бгырыпх псыгъуэ фIыцIэ ящIэлъщ, цейм и бгъэ лъэныкъуитIымкIэ шэ гъэтIылъыпIэхэр, хьэзырылъэхэр ирокIуэ (нобэкIэ нэпцIщ). Бгырыпх псыгъуэм къамэ кIэрыщIащ. 3. Гъэмахуэ фащэ зыкъизыхыр зи гугъу тщIа щIымахуэм ейм ещхьщ, ауэ къэптал фIыцIэр хужьщ, и пщампIэри лъагэу жьэгъум щIэуэу Iэтащ, пкъымрэ Iэщхьэхэмрэ къехузэкIащ, цейр дэщIыгъукъым. 4. Шыр зэрагъэщIэращIэр франджы шуудзэ псынщIэм ещхьщ. Языныкъуэ франджы офицерхэм яшхэр адыгэшым хуэдэу дыжьын тхьэмпэ цIыкIухэмкIэрэ дахэу зэIуща Iуданэ щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ щагъэщIэращIэ къохъу. Iэщэр 1916 гъэм ящIа франджы мушкетонырщ. Взвод къэс бжьамиитI иIэщ. Дэтхэнэ зы зауэлIми шэ щитI къылъос, ахэр къэлътмакъым илъу зэрехьэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25229.txt" }
Налшыкдэсхэр саугъэтым щIэбэныфыну? «Ротор» (Волгоград) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:1 (0:1). Пафос къалэ (Кипр). «Йероскипу» стадион. Мазаем и 13-м. Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубок. Гуп зэпеуэ. Судьяр: Галимов (Улан-Удэ). «Ротор»: Пчелинцев, Меркулов (Зинин, 72), Рябоконь, Гузь, Васянович (Хинчагов, 46), Рылов (Нечаев, 68), Алейник, Глушков (Тодорович, 46), Фомин (Коротаев, 46), Арлашин (Кабутов, 56), Аппаев (Хрущак, 64). «Спартак-Налшык»: Степанов, Засеев, Овсиенкэ, Тимошин, Багаев, Чеботару, Аверьянов (Коронов, 90), Руа Карлос, Галин (Сирадзе, 66), Буйтрагэ, Болэ (Дорожкин, 78). Топыр дигъэкIащ: Руа Карлос, 36 (0:1). Дагъуэ хуащIащ Тимошиным, Аппаевым, Болэм, Пчелинцевым, Чеботару. 36-нэ дакъикъэм Руа Карлос пенальти худэгъэкIакъым. «Спартак-Налшыкыр» «Ротор»-м къыпикIуэтынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Абы дригъэкIуэкI зэIущIэм кърикIуэм куэдкIэ елъытат Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокым адэкIэ зэрыщIэбэнынур. Япэ джэгугъуэм Екатеринбург и «Урал»-м къызэрыщыхигъэщIам ди щIалэхэм я Iуэхур хуабжьу гугъу ищIат. АрщхьэкIэ бэнэныгъэм щIидза къудейт икIи Iэмал псори къэгъэсэбэпыпхъэт. Абы щхьэкIэ, япэрауэ, волгограддэсхэр хагъэщIэн хуейт. «Ротор»-м и Iуэхур нэхъыфIт. Япэ джэгугъуэм ар «Сибирь»-м 2:0-у щефIэкIати, иджы зэ лъэпэрапэми шынагъуэтэкъым. Апхуэдэ щытыкIэм къигъэувырт «Спартак-Налшыкыр» зэIущIэм щебгъэрыкIуэн хуейуэ. Ар я нэщэнэу ди щIалэхэм джэгур ирагъэжьащ. Япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ абыхэм тепщэныгъэр яубыдащ икIи адэкIи яутIыпщакъым. Налшыкдэсхэр IэзагъкIи псынщIагъкIи я хьэрхуэрэгъухэм ефIэкIырт, ебгъэрыкIуэныгъэми къару нэхъыбэ трагъэкIуадэрт. Ар-щхьэкIэ «Ротор»-ри хуэмыхутэкъым. Абы къыщыхэжаныкIырт гъуащхьауэ ди лъахэгъу ныбжьыщIэ Аппаев Хъызыр. А щIалэм зыкъомкIэ и фIыгъэ хэлъщ джэгум и япэ Iыхьэм икухэм волгограддэсхэм бжыгъэр къызэIуахыну Iэмал къазэрыхукъуэкIам. АрщхьэкIэ, ди насыпти, топыр штангэм техуащ. ЩIэщхъу къалъыкъуэкIыным зымащIэ фIэкIа зэримыIэжам налшыкдэсхэм я жэуаплыныгъэр нэхъыбэж ищIащ. Иджы абыхэм IэпэдэIупIэншэу зыкърагъэбыдэкIри, ипэкIэ кIуэтащ. Апхуэдэхэм ящыщ зым «Ротор»-м и гъуащхьэхъумэхэм футбол хабзэр я гъуэм пэмыжыжьэу къызэпаудащ. Пенальти! «Спартак-Налшыкым» и цIэкIэ ар игъэзэщIэну метр пщIыкIузым Руа Карлос бгъэдыхьащ. Ар зэуа топым «Ротор»-м и гъуащхьэтетым къригъэгъэзащ, ауэ, ди щIалэр абы япэу нэсри, и щыуагъэр игъэзэкIуэжащ икIи бжыгъэр къызэIуихащ. Япэ зэрищам налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр нэхъ кIащхъэ ищIакъым. Загъэпсэхуну имыкI щIыкIэ, абыхэм бжыгъэр яхуэгъэбэгъуэнут, арщхьэкIэ волгограддэсхэр гъуэм и пкъом къригъэлащ. ЕтIуанэ Iыхьэр «Ротор»-м и ебгъэрыкIуэныгъэкIэ иригъэжьэну хущIэкъуащ. Ауэ абы хуэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» и хьэрхуэрэгъум зы Iэмали иритакъым. Уеблэмэ, мыгувэу тепщэныгъэр джэгупIэ губгъуэм щиубыдыпащ. Ди щIалэхэм зы Iэмали къагъанэртэкъым ипэкIэ кIуэтэфыну. АрщхьэкIэ гъуэр хэгъэщIэным щынэсым и деж Iуэхур къызэтекъутэжырт. Псом хуэмыдэу Iэмал гъуэзэджэ иIащ Руа Карлос. МетритIкIэ фIэкIа пэмыжыжьэу ар зэуа топыр фIэкIыпIэншэу гъуэм дэкIыну къыпщыхъунут. «Ротор»-м и гъуащхьэтетым абы къызэрыригъэгъэзэфар телъыджэщ. ЕтIуанэ джэгугъуэм зэрыщытекIуам и фIыгъэкIэ, «Спартак-Налшыкым» зыхэт гупым етIуанэ увыпIэр зэкIэ щиубыдащ. АрщхьэкIэ фIэщщIыгъуейщ Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокым щIэбэнынухэм къахэнэну. Абы и щхьэусыгъуэр япэ зэIущIэм дыкъыщыхэзыгъэщIа «Урал»-м аргуэру очкоищ къызэрихьарщ. Екатеринбургдэсхэр иджы 3:1-уэ «Сибирь»-м ефIэкIащ. Абы щыгъуэми «Спартак-Налшыкыр» зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэхэм ящыщ зым иджыри щIэбэныфынущ. Фызэрыщыгъуазэщи, зэпеуэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьами сом мелуан ныкъуэкIэ хуэупсэнущ. АдэкIэ Iуэхур зэлъытар зыхэт гупым щекIуэкIыну иужь зэIущIэхэм къарикIуэнухэращ. Мазаем и 16-м ди щIалэхэм къапэщIэтынущ Новосибирск и «Сибирь»-р. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25235.txt" }
БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэхэр Бахъсэн районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм япэу щекIуэкIащ щIалэгъуалэм я фестиваль. Ар къызэрагъэпэщащ районым и щIалэгъуалэ администрацэмрэ «Урысей зэкъуэт» партым и райисполкомымрэ. Фестивалым щагъэлъэгъуащ пасэрей фэилъхьэгъуэхэр, къафэхэр, кино пычыгъуэхэр. Районым и школхэм щеджэ щIалэгъуалэ гупхэр хэтащ мы зэхыхьэм. Iэмал зэхуэмыдэхэр къагъэсэбэпурэ, абыхэм фестивалым кърихьэлIахэр ирагъэплъащ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ блэкIа лIэщIыгъуэмрэ нобэмрэ зэрызэпащIэр. Апхуэдэт лIэщIыгъуэ кIуам щыIа щхьэц зэщIэкъуэкIэхэр, щыгъыныгъуэхэр, зэрызагъэдахэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэр. Языныкъуэ гупхэм утыку кърахьащ езыр-езыру ягъэхьэзырыжа лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр. Шэч хэлъкъым Бахъсэн районым ис щIалэгъуалэм зэфIэкI зиIэу яхэтхэр мы фестивалым наIуэ къызэрыщыхъуам. Зэхыхьэм и къэпщытакIуэ гупым хэта Къагъырмэс Арсен зэрыжиIамкIэ, ныбжьыщIэхэм щыгъыныгъуэхэр къызэрагупсысар, къафэхэр зэрагъэувар узыщыгуфIыкIынщ. Фестивалым хэтахэр ягъэгушхуащ районым и артист ныбжьыщIэхэу БешкIур Ислъамрэ Тхьэмадокъуэ Аскэррэ, Налшык къалэм икIа «Амики» къэфакIуэхэм. КърихьэлIахэм Iэгуауэ ин хуаIэтащ абыхэм. Зэхыхьэм япэ увыпIэр щыхуагъэфэщащ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и «УщIалэху, къафэ» гупым. ЕтIуанэ хъуащ Зеикъуэ къуажэм и курыт школ №3-м къикIа «Iущыцэ» гупыр. Абыхэм къакIэлъокIуэ Къубэ-Тэбэ и курыт еджапIэ №1-м и «Адэжьхэм я макъ» гупыр. Зэпеуэм пашэ щыхъуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ саугъэт зэхуэмыдэхэр тыгъэ хуащIащ. Фестивалыр зи жэрдэмхэм къыхагъэщащ, абы нэгъуэщI районхэри къыхашэу, гъэ къэс ирагъэкIуэкIыну зэрамурадыр. АЛОКЪУЭ Аринэ, Бахъсэн район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25238.txt" }
ЩIыр захуагъэ хэлъу къуажэдэсхэм иратыжын хуейщ Нобэрей ди псэукIэ-зэхэтыкIэм цIыхухэр зэхэгъэкIыныгъэ гуащIэм и пащхьэм иригъэуващ. Демократие фIащу кърахьэжьауэ щыта Iуэху зехьэкIэ зэIумыбзхэм хабзэми бзыпхъэми емызэгъыу къыдэунэхуа мыхъумыщIагъэ куэдыкIейхэм имыгъэпIейтейрэ имыгъэгубжьу къытхэтыр мащIэщ. «Къэралыр «сымаджэщ» жаIэри, къеузым емылIалIэу абы и Iэпкълъэпкъыр зезыгъакIуэ, зыгъэбауэ лъынтхуэ псори, упщIи уси хэмылъу, зэ еIэгъуэм къыхалъэфащ. Апхуэдиз лей зезыхьахэмрэ я бынхэмрэ нобэ я IутIыжщ. ЦIыхубэм, къэралым я къэкIуэнум папщIэ батэ ягъэшыну жызыIэу кIияхэр жеякъым, абыхэм ябгъэдэлъа мылъкур мыбэлэрыгъыу зралъэфэлIащ, зэщIаугъуеящ, зэщIакъуэри лъэныкъуэ ирагъэзащ. Илъэс тIощIым щIигъуауэ цIыху цIыкIум я щхьэр зэрахьэ, я нэгу щIэкI мыхъумыщIагъэхэм ягъэундэрэбжьауэ, ягъэундэрэщхъуауэ нобэм къэсащ, «рынок» жаIэурэ ди гъащIэр бэзэрым хуагъэкIуащи, я унагъуэр зыгуэрурэ ягъэпсэужын щхьэкIэ, зи узыншагъэр пэлъэщхэр абы зэрохь, мэулъэпхъащэ. КIуэаракъэ, псори зэрызэхуагъадэ, дэтхэнэми и хуитыныгъэмрэ и сэбэп зыхэлъхэмрэ зыхъумэн хуей Конституцэр (Закон Нэхъыщхьэр) хьэрэкъуакIэ дадзэжауэ къыпфIощI. Нобэрей гугъуехьхэм ириубыдылIа къуажэдэсхэр абы есэжащ, ауэ я гур изыудыпэр, щIэмычэу зыгъэпIейтейр къахуэнэжа гугъэ закъуэр — зыгъашхэ, зыпI щIыр — зэрыIэщIахырщ. Псалъэмакъышхуэ иращIэкIами, щIы реформэр ипэкIэ зэрымыкIуатэм социально-экономикэ щытыкIэр зэщIегъаплъэ. ЦIыхубэ мылъкум хуэнэпсейхэм ар зэрызэтраIыгъэм шэч къытетхьэркъым. Армырамэ, изрэ ныкъуэрэ зэрыщIэнт, къуажэдэсхэм я сэбэп хэлъу, захуагъэм тету иджыри къыздэсым а Iуэхум хуэфащэ унафэ къыхуагъуэтынт. Абы и пIэкIэ ди нэгу щIэкIыр нэгъуэщIщ. «Адыгэ псалъэ» газетым (№2 (22.410) иджыблагъэ къытехуащ «КъБР-м щIы реформэ къыщызэгъэпэщыным, ар гъэхьэзырыным икIи егъэкIуэкIыным граждан жылагъуэр (обществэр) зэрыхэтыну щIыкIэмрэ хабзэхэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм деж щыIэ Жылагъуэ советым и унафэмрэ республикэм ЩIы зэхущытыкIэхэр реформэ зэрыщащIынум и концепцэмрэ. Ди къуажэдэсхэр абыхэм арэзы техъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къапщтэмэ, ЩIы зэхущытыкIэхэр реформэ зэращIынум и концепцэм къытхуихьынури къыдитынури мащIэщ. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, ар нэхъыбэу зытещIыхьар къулейхэрщ, бизнесышхуэм хэтхэрщ, гъавэ щIапIэ нэхъыфIхэр щхьэзыфIэфIу зыIэщIэзыубыдауэ илъэс 20 хъуауэ абы хэджэгухьхэрщ, щIы реформэм ирисондэджэр унафэщIхэрщ. Концепцэр щагъэхьэзырым мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр нэхъыщхьэу къалъытэн хуеящ: 1. Къэбэрдей-Балъкъэрым бгъэдэлъ щIыр цIыхубэ мылъкуу зэрыщытыр; щIы реформэр щыIэ хабзэм ткIийуэ тету, захуагъэ хэлъу егъэкIуэкIын зэрыхуейр; республикэм къулыкъущIэхэм я уней мылъкум щыщ ягуэшу зэрыармырар, атIэ «Мэкъумэш щIапIэхэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ Урысей Федерацэм и законодательнэ акт щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» 2010 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдэкIа Федеральнэ закон №435-ФЗ-м зэрыщыубзыхуам тету, совет къэралыгъуэр щакъутэжым къуажэдэсхэм къыIэщIахауэ щыта щIыр фIэкIыпIэншэу абыхэм зэретыжыпхъэр; апхуэдиз илъэскIэ ягъэгува, гъэтIылъыпIэ зимыIэ мы Iуэхур 2016 гъэ пщIондэ бгъэIэпхъуэ зэрымыхъунур. ЩIы Iыхьэхэр щагуэшкIэ къуажэдэсхэм нэхъ яфIэкъабылым тещIыхьын зэрыхуейр зымащIэкIи зыщагъэгъупщэ хъунукъым, сыту жыпIэмэ, я унагъуэр япIыжын, къэралым дызыхуиша щытыкIэм къикIын, абы зыгуэрурэ хэпсэукIын щхьэкIэ, къахуэнэжар а зы хэкIыпIэрщ. ЩIы Iуэхум хуэфащэ унафэ имыгъуэтурэ нобэм къэсащ. Къэхъуам девгъэплъыт: щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къагупсысурэ, апхуэдиз илъэскIэ къуажэдэсхэм зэуIуу зэрагъэпэща мылъкур зэбграхащ, абы хэуныкIахэм щIыр щхьэзыфIэфIу зэрапхъуэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, Концепцэр зэхэзылъхьахэм япэ ирагъэщыр мэкъумэш щIапIэ нэхъыфIхэр зыIэщIэзыубыдэу пхъэщхьэмыщхьэ хадэ хэзысахэрщ, зэманыфI хъуауэ гъавэ тезыщIэхэрщ, «зи Iуэхур зэпэщ мэкъумэш, фермер IэнатIэ» зыфIащахэрщ. Мы къыхалъхьам тету щIыр ягуэшкIэ, къуажэдэсхэм я псэукIэр ефIэкIуэнукъым, щIалэгъуалэми IэнатIэ ягъуэтынукъым. «Демократиети», «нахуагъэти», «захуагъэти» жаIэу ягъэву щхьэкIэ, апхуэдэ лъэпкъ тлъагъуркъым, ди нэгу щIэкIыр, нэхъапэхэм хуэдэу, пщырэ пщылIу жылагъуэр зэтепщIыкIыу зэрыхуежьарщ. Концепцэм зэрыщаубзыхуам хуэдэу, 2016 гъэ пщIондэ реформэр зэтраIыгъэмэ, абы фIы къишэнукъым — щIы нэхъыфIхэр тхылъ нэпцIкIэ нобэ зыIыгъхэм ар къахуэнэжыпэнущ, къуажэдэсхэр зэрыIыхьэншэу къэнэжынущ. 2011 гъэм накъыгъэм (майм) и 12-м КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Нарткъалэ щригъэкIуэкIауэ щытащ жылагъуэхэм я унафэщIхэмрэ къуажэдэсхэм я лIыкIуэхэмрэ зыхэта зэIущIэ. ЦIыхухэр нэхъыбэу зыгъэпIейтейхэм я гугъу щащIым, ар щIэупщIащ щIым и зехьэкIэ хъунум къызэхуэсахэр зэреплъ щIыкIэм. Абы щыгъуэ къыхилъхьат унагъуэхэр къызэхакIухьу, жылэм дэсхэм нэхъ яфIэкъабылыр зрагъэщIэну. Ар къэдгъэсэбэпри, Арщыдан къуажэм щIы реформэм елэжь гупым хэтхэм къанэ щымыIэу жылэр зэлъэдгъэIэсащ, унагъуэ 1051-м я Iуэху еплъыкIэр тхылъкIэ щIэдгъэбыдащ. Абыхэм я процент 94-м къагъэув колхозым иIыгъа гъавэ щIапIэ псори захуагъэ хэлъу унагъуэхэм трагуэшэжыну. Ауэ абы лъандэрэ щIыпIэ уна-фэщIхэми, къуажэ депутатхэми зытхуагъэхъейркъым, я мурадхэм дыхагъэгъуазэркъым, щIым и Iуэхур зытетым, ар нобэ зэрызэрагъакIуэ щIыкIэм и пэжыпIэр щIауфэ. 2011 гъэ лъандэрэ Арщыдан къуажэм и Iэтащхьэм долъэIу колхозым иIыгъа мэкъумэш щIапIэхэр иджыпсту зыIэщIэлъхэм я мыпхуэдэ таблицэр къыдитыну. — и унэцIэр, и цIэр, и адэцIэр; — щыпсэу щIыпIэр; -зэгурыIуэныгъэкIэ щIыр къыщищта зэманымрэ ар зэриIыгъыну пIалъэмрэ; — зэрыхъу гектар бжыгъэр; — IуэхущIапIэр зыхуэдэмрэ абы зэреджэмрэ; — щхьэзакъуэрылажьэ, хьэмэрэ коммерцэ IэнатIэ. Апхуэдэ таблицэ диIамэ, пэжыр наIуэ къэхъунут, ауэ дызытрагъэхьэркъым. УпщIэхэр къоув: — Илъэс 20 лъандэрэ къуажэм и щIым и унафэр зыIэщIэлъыр хэт? (ар ди дежкIэ щэхущ, нобэр къыздэсым и пэжыпIэр къытхуэгъуэтыркъым); — ЩIы Iуэхур зэблэзыгъэкIыр хэт сымэ, дэнэ щIыпIэ щыщ? — Ди гъавэ щIапIэхэм хъеру къыпахыр сыт хуэдиз икIи абы щыщу ди жылэм дэсхэм къылъагъэсыр дапщэ? — Ди щIым къит фейдэр зыIэрыхьэр хэт сымэ? Арщыдан и щIым, псом хуэмыдэжу, мэкъумэш щIапIэхэм я Iуэхур зыхуэкIуэм хуабжьу дегъэпIейтей. Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIы зэхущытыкIэхэр реформэ зэрыщащIынум и концепцэу республикэм и Iэтащхьэм деж щыIэ Жылагъуэ советым арэзы зыщытехъуам гурыIуэгъуей, зэIумыбз куэд хэлъщ. Сыту жыпIэмэ, абы кIэухыу кърикIуэнур наIуэу ягъэбелджылакъым. Арщыдан къуажэм щIы реформэ зэрыщедгъэкIуэкIынум, захуагъэ хэлъу ар зэрыщыдгуэшынум, зэрыжысIащи, гуп щхьэхуэ хэкъузауэ долэжь. Иужьрей илъэситIым къриубыдэу куэд зэпэтшэчащ, Iуэхугъуэ Iэджэ зэфIэтхащ, абы теухуауэ щыIэ хабзэхэм куууэ зыхэдгъэгъуэзащ, хэкIыпIэ нэхъыфIхэр щызэхуэдгъэкIуа зыхуэфащэ тхылъхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэми, Парламентми еттащ. Арами, республикэм и унафэщIхэми депутатхэми я жэуап щыIэкъым. КIэщIу къыхэдгъэщынщи, Арщыдан къуажэм дэсхэм къагъэувыр зыщ: «Мэкъумэш щIапIэхэр къызэрагъэсэбэпым и IуэхукIэ» 2002 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м къащта Федеральнэ закон №101-ФЗ-мрэ «Мэкъумэш щIапIэхэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ Урысей Федерацэм и законодательнэ акт щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» 2010 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдэкIа Федеральнэ закон №435-ФЗ-мрэ къызэрагъэувым тету, нэхъапэм колхозым бгъэдэлъа гъавэ щIапIэ псори зэхуэдэу, нэфI-ней хэмылъу унагъуэхэм яхуэгуэшыжынырщ. Абы и лъэныкъуэкIэ арщыдандэсхэм нэхъ яфIэкъабылщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIы реформэ зэрыщегъэкIуэкIыпхъэм теухуауэ щIэныгъэлI-хьэрычэтыщIэ Джэрыджэ Хьэсэн игъэхьэзыра проектыр. «КъБР-м щIым щигъуэтыпхъэ унафэм и зы бгъэдыхьэкIэ» фIэщыгъэр иIэу ар къытехуащ 2011 гъэм шыщхьэIум (августым) и 9-м къыдэкIа «Адыгэ псалъэ» газетым, цIыхухэми куууэ яджащ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ мы Iуэхур зэхьэлIахэр къыхудоджэ темыIэзэщIыхьыжу проектыр лъабжьэу къащтэну. Апхуэдэу реформэ езыгъэкIуэкIыну зи пщэрылъхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым цIыху жыжьаплъэ, гъащIэм и пIалъэ зыщIэ нэхъыжь Iущ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и Тхьэмадэу лэжьа, щIы Iуэхур зэкIэлъыгъэкIуэнымкIэ республикэ комиссэм хэта Дохъущокъуэ Мусэ зэIущIэхэм ящыщ зым щыжиIар: — «Отвести от крестьян угрозу их полного обезземеливания может передача им в собственность не части, как предлагают некоторые деятели, а всех земель сельскохозяйственного назначения… Будущие поколения не простят, если при нашем попустительстве бизнес и предпринимательство завладеют единственным, Богом данным достоянием, оставшимся у крестьян — землей. Пусть эти слова ни у кого не создадут иллюзии. Увещеваниями и призывами не остановить тех, кто уже имеет планы на эту землю. Решающим здесь может быть лишь то, с какой активностью будут защищать люди, живущие на земле, свои права, предоставленные им российским законодательством». Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм къыхагъэщ зэблэкIыгъуэ илъэс хьэлъэхэр республикэм хъарзынэу къызэринэкIауэ, ауэ дэ апхуэдэу къэтлъытэркъым. Сыту жыпIэмэ, ди нэгу щIэкIыр нэгъуэщIщ. Дызыхэт гугъуехьхэм ящIыIужкIэ, щIы Iуэхум хуэфащэ унафэ къызэрыхуамыгъуэтым псори гуитIщхьитI дэхъуащ. Къуажэдэсхэм къащта унафэм тету гъавэ щIапIэхэр гуэшыныр кIыхьлIыхь ящI, бэджэнду къыдатыркъым, апхуэдэу къеIызыхыф закъуэтIакъуэми пщIэшхуэ паубыд. Илъэс 20 и пэкIэ цIыхухэм иратыжын хуея щIыр аукцион джэгу зэпеуэм хуагъэкIуащ. Я мурадыр наIуэщ: инвестицэ, бизнес проект инхэр догъэзащIэ жаIэурэ, къэрал, цIыхубэ мылъкур зэзылъэфэлIахэм, ямыгуэшыж щIыкIэ, мэкъумэш щIапIэ нэхъыфIхэр зыкIэщIаупщIэнырщ. Къыхэгъэщыпхъэщ тхылъ нэпцIкIэ щIыр зыIэщIэзыубыдэхэр мымащIэу зэрыщыIэр. Апхуэдэ зэхуэмыгъэдэныгъэм къуажэдэсхэр хуабжьу егъэпIейтей, гъэпщылIакIуэхэм ди щIыпIэм зэрызыщагъэбыдэм къегъэгубжь, зи къаруилъыгъуэ щIалэгъуалэр Iуэхуншэ, лэжьапIэншэ ещI, гъуэгу пхэнж трегъэувэ. Республикэм и унафэщIхэми, Парламентым и депутатхэми, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми, щIым хуэнэпсейхэми, икIэм-икIэжым, хьэкъыу япхыкIыпхъэщ из хъуар къызэрыщихур, губжь зэтрихьар икIутмэ, пхуэмыгъэзэкIуэжыну хэщIыныгъэ къишэнкIэ зэрыхъунур. Абы къыхэкIыу, мы Iуэхур зэкIэлъызыгъэкIуэну зи къалэнхэм захудогъазэ реформэр адэкIэ ямыгъэIэпхъуэну, 2002 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м къащта Федеральнэ закон №101-ФЗ-мрэ 2010 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдэкIа Федеральнэ закон №435-ФЗ-мрэ къызэрагъэувым хуэдэу, захуагъэ хэлъу къуажэдэсхэм щIыр иратыжыну. Ар хабзэм тету зэфIэкIмэ, мэкъумэш щIапIэхэм я зехьэкIэ Iэмал нэхъыфIхэр ди мэкъумэшыщIэхэм тегушхуауэ къызэрагъэсэбэпынум шэч хэлъкъым. Арщыдандэсхэр абы хуэхьэзырщ. Арщыдан къуажэм щIы реформэр щызыгъэхьэзыр гуп. (Мысрокъуэ МэчрэIил, нэгъуэщIхэри. Псори зэхэту цIыху 18 мэхъу).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25240.txt" }
«Хъыршыным къыпэкIуа гуапагъэ» КъБКъУ-м Балъкъэр щэнхабзэмкIэ и центрым и лэжьыгъэм жыджэру хэт студентхэм Iуэху гуапэ иджыблагъэ ящIащ. Ахэр щыIащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм «Унагъуэхэм, сабийхэм къэралыр зэрадэIэпыкъур къызэзыгъэпэщ и республикэ центрым» (Нарткъалэ). Балъкъэр хъыршыным и махуэ къызэрагъэпэщу ахъшэ къэзылэжьа студентхэм абы къыщIахар трагъэкIуэдащ сабийхэр зыщыгуфIыкIыну хьэпшыпхэм (спорт лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыщагъэсэбэп, зэрытхэ, сурэт зэращI Iэмэпсымэхэм), IэфIыкIэхэм, пхъэщхьэмыщхьэхэм. Апхуэдэуи, щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэхэм щыщ сабий 50-м папщIэ (иджыпсту ахэр центрым и нэIэм щIэтщ), щыгъын хуабэхэр зэхуахьэсащ. Дахэу гъэщIэрэщIа пэшым сабийхэр ирагъэблагъэри, студентхэм пшыхь гукъинэж яублащ. Абыхэм уэрэд жаIащ, сабийхэр ягъэджэгуащ, къагъэфащ. Балъкъэр щэнхабзэмкIэ центрым и унафэщI Тюбеевэ Светланэ жиIащ мыпхуэдэ псапэ Iуэхухэм щIалэгъуалэр къызэрыхашэм мыхьэнэ зэриIэр. — Ди фIэщ мэхъу мыпхуэдэ лэжьыгъэм жыджэру хэт студентхэм езыхэм унагъуэфI зэраухуэнур, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, интернатхэм, сабий центрхэм дыщыкIуэкIэ долъагъу, абыхэм цIыкIухэм хуаIэ лъагъуныгъэр, нэхъыщхьэращи, унагъуэ бухуэн папщIэ, жэуаплыныгъэ пхэлъын зэрыхуейр къагуроIуэ. КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25243.txt" }
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тыгъэм и дэфтэр Мурадхэр Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, къищынэмыщIауэ ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм (Тыркум, Сирием, Иорданием, США-м, Германием, нэгъуэщIхэми) адыгэ литературэм, лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, спортым зыщегъэужьыным хуэщхьэпэн. Къалэнхэр ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа IэнатIэхэм ехъулIэныгъэшхуэхэр иужьрей илъэсхэм щызыIэрызыгъэхьа цIыху зэчиифIэхэр (е гуп щхьэхуэхэр) гъэлъэпIэн. УнэтIыныгъэхэр ДАХ-м игъэува тыгъэр зыхуэфащэхэр къыщыхах унэтIыныгъэхэр: — адыгэ тхыдэр къызыхэщ литературэ тхыгъэ (роман, повесть, рассказ, новеллэ, пьесэ, поэмэ, усэ Iэрамэ); — театрым, кином, телевиденэм щагъэува, щытраха теплъэгъуэхэр; — къэфакIуэ гупхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр; — адыгэхэм ятеухуа тхыдэ, художественнэ къыдэкIыгъуэ зэрыIыгъхэр; — макъамэ, сурэтыщI гъуазджэ IэдакъэщIэкIхэр; — тхыдэ, этнографие, бзэщIэныгъэ къэхутэныгъэхэр; — спортымкIэ ехъулIэныгъэ инхэр. Къызэрыхах мардэхэр Тыгъэ лъапIэ зыхуагъэфащэхэр къыхах лъэпкъ литературэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, спортым зэфIэкIышхуэ къыщызыгъэлъэгъуахэм (дэтхэнэ IэнатIэми щыщу цIыху зырыз). Хэтынухэр ДАХ-м игъэува тыгъэр зыхуагъэфэщэнухэр къыхах «Адыгэ Хасэм» и щIыпIэ къудамэхэм, Кавказ Ищхъэрэм щыIэ творческэ зэгухьэныгъэхэм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм щыIэ хасэхэм къата тхылъхэмкIэ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуауэ щытыпхъэщ адыгэбзэм, лъэпкъ тхыдэм, цIыху зэхэтыкIэ-псэукIэм теухуауэ щэнхабзэ, литературэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр, спорт ехъулIэныгъэшхуэхэр зиIэ цIыху щхьэхуэхэм е гупхэм я зэфIэкIыр. Унафэ къызэращтэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тыгъэр зыхуэфащэр ДАХ-м и къэпщытакIуэ гупым къыхех. А гупым хыхьэхэми я зэфIэкI зэпеуэм къыщагъэлъэгъуэну хуитщ, къэпщытакIуэхэм къазэрыхэкIыжымкIэ лъэIу тхылъ нэхъапэкIэ къитамэ. НэхъыфIу къалъытахэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэ лъапIэрэ щIыхь тхылърэ ират, зыкъыщигъэлъэгъуа унэтIыныгъэм ипкъ ит щIыхьыцIэ къыфIащ. Дамыгъэхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ щратыж ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым, Советым, Зэхуэсышхуэм я зи чэзу зэхыхьэхэм. ПIалъэхэр Иджырей зэпеуэр 2013 гъэм мазаем щIедзэри, илъэс къакIуэм и гъатхэпэм еух. Тхылъыр къызэрат щIыкIэр Зэпеуэм зи зэфIэкI щызыгъэлъэгъуэнухэм ятеухуа тхылъхэр ДАХ-м и IуэхущIапIэм езыхэм къахь е пощткIэ къыIэрагъэхьэ. Ягъэува пIалъэм (2014 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 31-м) фIэкIауэ къата тхылъхэм зыри хэплъэнукъым. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэр: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ, Налшык къалэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ уэрам, 6-нэ унэ. Пощт индексыр: 360000. Iуэхум нэхъыфIу зыщызыгъэгъуэзэну хуейхэр мыпхуэдэ телефонхэмкIэ фыщIэупщIэ хъунущ: (+78662) 47-31-83, 47-22-63, 42-58-34. Электрон пощтым и адресыр: adyghe@mail.ru, къищынэмыщIауэ Iуэхум теухуа хъыбарегъащIэ къыщывгъуэтынущ ДАХ-мрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ я сайтхэм (www. adyghepsale.ru).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25246.txt" }
Мы гъэм и япэ къыдэкIыгъуэр «Нур» журналым мы гъэм и япэ номерыр къыдэкIащ. Ар къызэIуех ЩоджэнцIыкIу Алий и «ЩIымахуэ» усэ цIэрыIуэмкIэ. Ди республикэм илъэс зыбжанэ и пэкIэ щызэхаублауэ йокIуэкI анэдэлъхубзэм теухуа «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэхьэзэхуэр. А жэрдэмыр Къэрэшей-Шэрджэсым и еджапIэхэми даIыгъауэ, абыи щызэпоуэ. А зэпеуэм теухуащ Жыласэ Маритэ «Си бзэ — си псэ» зыфIища и тхыгъэ кIэщIыр. Апхуэдэуи мыбы традзащ зэпеуэр Акъбащ Ипщэ къуажэм и еджапIэм зэрыщыIар къэзыгъэлъагъуэ сурэтхэр. Адыгэм ди усакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ Бещтокъуэ Хьэбас и ныбжьыр мы гъэм илъэс 70 ирокъу. Хьэбас езыри мы журналым зыкъомрэ щылэжьащ. Мы къыдэкIыгъуэм традзащ Бещтокъуэм сабийхэм папщIэ итха «Зэрыджэгу хьэпшыпхэр» усэ гупыр. АдэкIэ фыкъыще-джэнщ Щоджэн Леонид и «Дзыгъуэ шыр» псысэм. КъыкIэлъыкIуэу итщ Боровская Нинэ «Къуаргъ лъэтэжа» зыфIища таурыхъым сабий театрым папщIэ къытрищIыкIа «Къуаргъ хьэгъапхъэ» инсценировкэр, Мэлей ФатIимэ зэридзэкIауэ. «ЩIэблэ» напэкIуэцIым щыфлъагъунщ фIыуэ еджэ, адыгэбзэм нэхъ дихьэх ныбжьыщIэхэм я сурэтхэр. «ПцIы бупсмэ, уи пэжри я фIэщ хъужыркъым» хъыбарыр IуэрыIуатэм къыхихыжри, Нало Заур итхыжауэ щытащ. Ари итщ къыдэкIыгъуэм. Урысейм и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ, ди республикэм щIыхь зиIэ и художник ПIаз Александр и лэжьыгъэм теухуащ Мэремкъул Ларисэ и «ГъуаплъащIэ Iэзэ» тхыгъэр. Мыбдежым щыфлъагъунщ ПIазым и IэдакъэщIэкIхэм траха сурэтхэри. КъыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIым итщ цIыкIухэм ятеухуауэ Хьэту Петр зэхуихьэса гушыIэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и спортзалым къыщызэIуахащ Джэданэ зэшхэм я школ. Абы ныбжьыщIэхэр дзюдом щыхуагъэсэнущ. А школым и лэжьыгъэм ухегъэгъуазэ Жыласэ Заур и «Джэданэ зэшхэм я гъэсапIэ» тхыгъэм. АдэкIэ къыщыв-гъуэтынщ псалъэзэблэдз. Абзуан Пщымахуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25249.txt" }
Сытым дежи дыпоплъэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теухуат и зи чэзу къыдэкIыгъуэм сыт щыгъуи дыпэплъэ, щэнхабзэм, бзэм, литературэм я лэжьакIуэу республикэм исхэм я Iэпэгъу, тхакIуэхэмрэ журналистхэмрэ ди ныбжьэгъуфI «Iуащхьэмахуэ» журналым и япэ номерыр дунейм къызэрытехьэрэ илъэс 55-рэ зэрырикъум. Адыгэ журнал къыдэкIыныр лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэху дахэу, литературэм зезыгъэужь Iэмал гъуэзэджэу зэрыщытыр и псалъэм къыхэщу, зэхыхьэр къызэIуихащ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ Кърымщокъал Маринэ. КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Елгъэр Кашиф зэIущIэм кърихьэлIахэр иригъэдэIуащ журналым и тхыдэм, абы зиужьыным зи гуащIэ хэзылъхьа тхакIуэ нэхъыжьыфIхэм я зэфIэкIым. «Iуащхьэмахуэ» журналыр и ныбжьэгъу пэжу, и Iэпэгъуу къызэрыгъуэгурыкIуэм къытеувыIащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, литературэ критик ХьэкIуащэ Андрей. НэхъыжьыфIым жиIащ мазэ къэс зэ къыдэкIыу щыта, зи бжыгъэр иджы мини 2-м хуэкIуа мы журналыр зэрымащIэм къыхэкIыу, абы еджэну гукъыдэж зиIэ псоми ар зэраIэрымыхьэр, мыбы унафэ игъуэтын зэрыхуейр. ЕхьэкI-къехьэкI хэмылъу Андрей и гугъу ищIащ Кавказ Ищхъэрэм и усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм нэхъапэм нэхъ гулъытэ хуащIу, журналым плIанэпэ щхьэхуэ хухихыу зэрыщытар. Иджы апхуэдэу зэтраублэжамэ, ар куэдым я гуапэ хъуну къызэрилъытэри жиIащ. Апхуэдэуи ХьэкIуащэм къыхигъэщащ цIыхухэм зезыгъэцIыхуж ауанхэмрэ гушыIэхэмрэ куэду зи Iэдакъэм къыщIэкIа тхакIуэ, усакIуэ IутIыж Борис дунейм зэрехыжрэ псоми я щIасэ а тхыгъэхэм журналыр зэрыщыщIэр. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ БакIуу Хъанджэрий къытеувыIащ нэхъапэм тхакIуэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ хуащIу щыта пщIэм хуэдэ «Iуащхьэмахуэ» журналми зэриIар, ар лъэпкъым и цIыхухэм къызэдаIэтыжу яхъумэн зэрыхуейр, хамэ псалъэхэмкIэ ди бзэр ткудэныр щыдгъэту, дыдейхэр къэдгъэсэбэпыжмэ зэрынэхъыфIыр. Хъанджэрий къызэрилъытэмкIэ, лъэпкъ Iуэхур, адыгэ журналыр щефIэкIуэнур акъыл зэхэдзэ тщIырэ хабзэ пыухыкIам дытетмэщ, адыгэбзэр уна-гъуэм и мызакъуэу, уэрамми, лэжьапIэми, еджапIэми щы-дгъэлажьэу дыхуэсакъмэщ. ТхакIуэ, усакIуэ, «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм и унафэщI Хьэх Сэфарбий, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и республикэ къудамэм и унафэщI, тхакIуэ, литературэ критик КхъуэIуфэ Хьэчим, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ, журналист Джэрыджэ Арсен сымэ жаIам нэхъыщхьэу хэлъыр мы журналым нэхъри зегъэузэщIын зэрыхуейрщ. — ЦIыхухэм я щIыбыр тхылъхэмрэ журналхэмрэ, я гупэр компьютерхэм хуагъэзами, япэхэм я пщIэр кIуэдынукъым, гува-щIэхами тхылъеджэхэр нэхъыбэ хъужынущ. Иджырей техникэр зэи пэхъунукъым тхылъым къуит гупсэхугъуэм. Лъэпкъыбзэм, литературэм, хабзэм цIыхур хуэмыныкъуэххэ хъумэщ нэхъ къулейсызыгъэ дыдэр къыщытпэплъэр. Ахэр зэрытхъумэным дыпывгъэлъ, — жиIащ КхъуэIуфэ Хьэчим. Зэхыхьэм ирагъэблэгъахэм библиотекэм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ хуащIащ, «Iуащхьэмахуэ» журналым и тхыдэр, и япэ къыдэкIыгъуэхэр щызэхуэхьэса гъэлъэгъуэныгъэ екIурэ зэIущIэ гуапэрэ къызэрызэрагъэпэщам папщIэ. Журналым и мыхьэнэм хэщIынкIэ Iэмал зэримыIэр, ар ди щэнхабзэм и Iыхьэ зэрыхъуар, абы цIыху гъуэзэджэхэр зэрелэжьар — аращ мы зэIущIэм гупсысэ нэхъыщхьэу щыIуар. БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25252.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Медведев Дмитрий я пашэу Къэрэшей-Шэрджэс. УФ-м и Премьер-министр Медведев Дмитрий, Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Хлопонин Александр, мэкъумэш хозяйствэмкIэ министр Федоров Николай, республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, нэгъуэщI къулыкъущIэхэр зыхэта гупым мэрем кIуам зыщаплъыхьащ КъШР-м щыIэ, Европэм щынэхъ ин «Южный» агрокомбинатым. Иджырей технологиехэмкIэ илъэс хъурейм нащэ, помидор щагъэкI хуабэщхэр Медведевым къызэхиплъыхьащ икIи псори гунэс щыхъуащ. Премьер-министрым зригъэщIащ лэжьакIуэхэм я улахуэр зыхуэдизыр, къыщIагъэкI продукцэм и куэдагъыр. ХьэщIэхэр къагъэкIахэм я фIагъыр зыхуэдэм еплъащ. Агрокомбинатым и зыужьыныгъэм щытепсэлъыхьым, абы и унафэщI ПIатI Валентинэ къыхилъхьащ къыщIагъэкI продукцэр Сочэ щекIуэкIыну Олимпиадэм ирагъэшэну икIи а жэрдэмыр Премьер-министрым диIыгъащ. АдэкIэ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым ирагъэлъэгъуащ я предприятэм щагъэкI удз гъэгъахэр зэрызэкIуэцIалъхьэр. ПIатIым къызэрыхигъэщамкIэ, зы илъэсым розэ мелуани 10-м нэблагъэ мыбы щагъэкI. IэщIагъэлIхэр егъэпIейтей Адыгей. Бжьыхьэсэ къэкIыгъэхэм я щытыкIэм IэщIагъэлIхэр егъэпIейтей. Щхьэусыгъуэр Адыгейм щIышылэм хуабэр градуси 5-кIэ нэхъ лъагэу зэрыщытарщ икIи гъатхэм пэмыплъэу къэкIыгъэхэм зыкъызэраужьырщ. ЩIышылэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ IэщIагъэлIхэм я нэIэ тетщ бжьыхьэсэ къэкIыгъэхэм. Дунейм и щытыкIэр, хуабэмрэ щIыIэмрэ зызэрызэрадзэкIыр, къэкIыгъэхэм я дежкIэ зэранщ. Псом хуэмыдэу ахэр ирогузавэ рапсым. Нэгъабэ процент 80-р щIыIэм хисхьэжауэ щытамэ, мы гъэм куэдкIэ нэхъ пасэу ар къызэщIэрыуащ. Иджы, дуней щытыкIэм зихъуэжрэ щIыIэ къеуэмэ, ари сэбэп хуэхъунукъым гъавэ бэвым. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25254.txt" }
ХэкIуэдахэр ягу къагъэкIыж Дыгъуасэ, къэралым и дэнэ щIыпIи хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрми къыщызэрагъэпэщащ Афган зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ Iуэхугъуэхэр. Сыхьэти 10-м щегъэжьауэ «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ IэштIым зэуэкIэмкIэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ. Сыхьэт 12-м пэкIу щекIуэкIащ Афганистаным щызэуахэм я фэеплъым деж. ЦIыху куэд щызэхуэса дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм, республикэм и Дзэ комиссариатым, Афганистаным щызэуахэм я зэгухьэныгъэм, Налшык къалэ администрацэм, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ, ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Афганистаным щызэуа ди хэкуэгъухэр ягу къагъэкIыжу пэкIум цIыху куэд къыщыпсэлъащ. Зэхуэсым кърихьэлIахэр хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ, фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. ЗэIущIэм хэтахэр ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ къалэ жыг хадэм кIуэри, абы ит МафIэ мыужьыхым и деж щахуэщыгъуащ зауэм хэкIуэдахэм, абдеж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ. КЪУМАХУЭ Аслъэн. Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25256.txt" }
Мы махуэхэм Мазаем и 16, щэбэт Литва Республикэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — я къэралыгъуэр зэфIагъэувэжащ (1918 гъэ). 1571 гъэм Грозный Иван Iэ тридзащ Урысейм и япэ дзэ уставым. 1989 гъэм Советыдзэхэр Афганистаным кърашыжащ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, ЩIДАА-м и член-корреспондент, жылагъуэ лэжьакIуэ Болэ Ильзитэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 — 6, жэщым 2 — 4 щыхъунущ. Мазаем и 17, тхьэмахуэ 1600 гъэм Рим къалэм щагъэсащ философ Брунэ Джорданэ. 1863 гъэм Дунейпсо Жор Плъыжьыр къызэрагъэпэщащ. 1880 гъэм урыс пащтыхь Александр ЕтIуанэр яукIыну хэтащ. Кипр Республикэм президент хэхыныгъэхэр щекIуэкIынущ. Эквадорым президент хэхыныгъэхэр щекIуэкIынущ. Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Къумахуэ Башир къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 — 4, жэщым 1 — 3 щыхъунущ. Мазаем и 18, блыщхьэ Адыгэ Республикэр нэмыцэ-фашист зэрыхъуакIуэхэм къыщыIэщIагъэкIыжа махуэщ (1943 гъэ) УФ-м и транспорт полицэм и махуэщ США-м и президентхэм я махуэщ. Ар 1968 гъэм Конгрессым игъэувауэ щытащ я къэрал унафэщI щэджащэхэу Вашингтон Джорджрэ Линкольн Авраамрэ я фэеплъу. 1924 гъэм Налшык Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIу къыщызэIуахащ. 1945 гъэм Матхаузен (Австрие) гъэрыпIэм фашистхэм щаIэщIэкIуэдащ генерал Карбышев Дмитрий. Армением президент хэхыныгъэхэр щекIуэкIынущ. ТхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 78-рэ ирокъу. Адыгейм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, критик, ЩIДАА-м и академик ШащIэ Къазбэч и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 — 4, жэщым 2 — 3 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25262.txt" }
ЛъагапIэ инхэм хуэпабгъэ бахъсэн пщащэ СССР-м и цIыхубэ артисткэ, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, уэрэджыIакIуэ пажэ Пугачевэ Аллэ «Россия 1» телеканалымкIэ иригъэкIуэкI «Фактор А» макъамэ проектым и ещанэ Iыхьэм щIидзащ. Абы хэтынущ ди лъахэгъу пщащэ дахэ Аушевэ Лауритэ. Лауритэ 1993 гъэм Бахъсэн къалэ къыщалъхуащ, къуажэ курыт еджапIэ №2-р къиухащ. Пасэ дыдэу дихьэхащ хъыджэбзыр уэрэд жыIэным. Илъэси 6 хъуауэ аркъудейт ар и япэ зэпеуэм, «дыщэ макъхэр» зи фIэщыгъэу Бахъсэн щекIуэкIам, щыхэтам. Школым зэрыщIэсым хуэдэу, пщащэм щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Сабий творчествэмкIэ республикэ центрым макъамэмкIэ и школым (Налшык къалэ). Къыхэгъэщыпхъэщ артист цIэрыIуэ хъуа Билан Дими зэгуэр мы еджапIэм зыщигъасэу зэрыщытар. Лауритэ хэтащ «Молодые голоса XIX века», «Патриотические песни» (Санкт-Петербург), «Утренняя зведа» (Мэхъэчкъалэ) зэхьэзэхуэхэм, нэгъуэщI куэдми. Мы зэманым ар щопсэу икIи щолажьэ Мэхъэчкъалэ. Абдежщ ар «Фактор А» шоу-проектым хэтыну щыкIуэцIрыкIар. «Зэпеуэм сыхэтыну Iэмал къызэрызатар си гуапэщ. Апхуэдэ тыгъэкIэ гъащIэр къыщыпхуэупсэр зэ закъуэу къыщIэкIынщ. Абы къыхэкIыуи, фIыщIэ яхузощI зи дзыхь къызэзыгъэза къэпщытакIуэхэм. Сэ ахэр зэрызмыгъэщIэхъуным сыхущIэкъунущ. КъыдэдаIуэхэм сыфщогугъ ди Iуэху дахэр къыддэфIыгъыну!» — жиIащ Лауритэ Москва лъэтэн и пэ къихуэу. ВАСИЛЕНКЭ Татьянэ, «Баксанский вестник» газетым и корреспондент.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25269.txt" }
Ди щIалэхэр финал цIыкIум макIуэ «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Сибирь» (Новосибирск) — 0:0. Пафос къалэ (Кипр). «Йероскипу» стадион. Мазаем и 16-м. Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубок. Гуп зэпеуэ. Судьяр: Шадыханов (Мэзкуу). «Спартак-Налшык»: Степанов, Засеев, Тимошин, Овсиенкэ, Багаев, Аверьянов, Руа Карлос, Галин (Сирадзе, 60), Буйтрагэ, Чеботару, Болэ (Гъуэщокъуэ, 46). «Сибирь»: Трунин, Шпичич, Головатенкэ, Ходырев, Гладышев, Кабанов, Зуев (Дудалев, 72), Брклячэ (Беляев, 40), Зиновьев (Запрудских, 75), Скороходов (Стаин, 81), Житнев (Медведев, 46). Дагъуэ хуащIащ Ходыревым, Головатенкэ, Кабановым, Беляевым, Багаевым. Зыхэт гупым етIуанэ увыпIэр къыщихьын папщIэ «Спартак-Налшыкыр» мы зэIущIэм «Сибирь»-м къыщыхимыгъэщIэн хуейуэ арат. Ар наIуэ хъуащ сыхьэт зыбжанэ и пэкIэ Томск и «Томь»-мрэ Волгоград и «Ротор»-мрэ зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, зэрызэдэджэгуам теухуа хъыбар къэIуа иужькIэ. Япэрей зэIущIитIри зы-фIахьа новосибирскдэсхэр адэкIэ саугъэтхэм щIэбэныфынутэкъым, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, ди щIалэхэм ерыщу къапэщIэтащ. Апхуэдэу щыт пэтми, «Спартак-Налшыкым» джэгур хуабжьу жыджэру иригъэжьащ икIи зы Iэмали къигъанэртэкъым и хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм ебгъэрыкIуэн папщIэ. «Сибирь»-м щхьэкъэIэтыпIэ щигъуэтар увыIэгъуэ имыIэу сыхьэт ныкъуэкIэ зихъумэжа иужькIэщ. Абы щыгъуэми ди гъуэм, зэ нэхъ мыхъуми, къызэреуэн Iэмал ягъуэтакъым. Пэжщ, налшыкдэсхэри япэ Iыхьэм къыхэжаныкIыфакъым. Загъэпсэхуауэ къызэрихьэжу, бжыгъэр къызэIуихыным «Спартак-Налшыкыр» хуабжьу пэгъунэгъу хъуат. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Галич зэуа топым новосибирскдэсхэм я гъуащхьэхъумэхэм кърагъэгъэзащ. КъыкIэлъыкIуэу Аверьяноври Гъуэщокъуэри къыхэжаныкIыфынут, арщхьэкIэ я Iэзагъыр къаймэщIэкIащ. «Сибирь»-ри закъуэтIакъуэ ди гъуэм къыщебгъэрыкIуэ щыIэт. Ауэ ахэр налшыкдэсхэм тыншу къызэпаудырт. Арати, бжыгъэр къызэIуамыхауэ лъэныкъуэхэр зэбгъэдэкIыжащ. Апхуэдэ щытыкIэм «Спартак-Налшыкыр» арэзы къищIащ. Очко бжыгъэкIэ зэхуэдэу, ауэ топ дагъэкIахэмрэ къыхудагъэкIахэмрэ зэрызэхущытымкIэ «Ротор»-р къыдэфIэкI пэтми, ди щIалэхэр турнир таблицэм япэ щрагъэщащ, езы тIур щызэдэджэгуам налшыкдэсхэр зэрыщытекIуам къыхэкIыу. Иджы Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэр нобэ финал цIыкIум щыщIэбэнынущ Футбол Лъэпкъ Лигэм теухуа зэхьэзэхуэм и ещанэ увыпIэм. Жэз медалхэмрэ сом мелуан ныкъуэмрэ зыIэрагъэхьэн папщIэ ди щIалэхэм хагъэщIэн хуейщ «Балтика»-р. Калининграддэсхэм зыхэта гупым етIуанэ увыпIэр пхъэидзэкIэ къащыIэрыхьауэ аращ, «СКА-Энергия»-мрэ абырэ зэхуэдэ дыдэу пэщIэдзэ зэпеуэр зэраухам къыхэкIыу. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25271.txt" }
«Урал»-р хагъэщIэж Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокыр къэхьыным хыхьэ зэIущIэхэм къищынэмыщIауэ, «Спартак-Налшыкым» Кипрым зэныбжьэгъугъэ джэгугъуэ щригъэкIуэкIащ. Мазаем и 14-м ди щIалэхэр яIущIащ Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокым и япэ джэгугъуэм 0:1-уэ къыщыхэзыгъэщIа Екатеринбург и «Урал»-м. Абы щыгъуэм пенальтикIэ къыхудагъэкIа топ закъуэмкIэ къазэрытекIуар зэрымыщIэкIэ къызэрыхъуар псоми наIуэ щащIыну налшыкдэсхэр щIэхъуэпсырт. ИкIи абыхэм ар къайхъу- лIащ. «Спартак-Налшыкым» хэту джэгур ирагъэжьат Коченковым, Мэкъуауэм, Сусловым, Чернышовым, Абазэм, Зинович, Ваниевым, Сира-дзе, Балэм, Короновым, Дорожкиным. ИужькIэ ди тренерхэм зэIущIэм къыхагъэхьащ Гъуэщокъуэмрэ ЛIупымрэ. Зэрынэрылъагъущи, мыхэр кубокым теухуа зэпеуэм щIагъуэу хэткъым икIи зэфIэкI хъарзынэ зэраIэр къагъэлъэгъуэну иджыщ къащыхукъуэкIар. А Iэмалыр ди щIалэхэм гъуэзэджэу къагъэсэбэпащ. Псом хуэмыдэу жыджэрт гъуащхьэхъумэ Абазэ Руслан. Абы и гъуэр Iэзэу ихъумэм и закъуэтэкъым, атIэ ебгъэрыкIуэхэм щIэх-щIэхыурэ яхыхьэурэ екатеринбургдэсхэр игъэгужьейрт. Апхуэдэхэм ящыщ зым Абазэм къыхита топыр Дорожкиным дигъэкIыным мащIэ дыдэщ иIэжар. АрщхьэкIэ ди щIалэхэм ехъулIэныгъэ къахуэзыхьар джэгум и етIуанэ Iыхьэрщ. Загъэпсэхури къихьэжа къудейуэ, Сирадзе и хьэрхуэрэгъум топыр къытрихри, Короновым хуигъэжащ, абы Гъуэщокъуэм иритыжри, бжыгъэр къызэIуха хъуащ. «Урал»-м Iуэхум зригъэхъуэжыну хэтащ. Абы джэгум къыхигъэхьащ кубокым «хуигъэтIыгъуэ» и футболист нэхъыфIхэу Гогниевыр, Асеведэ, Манучарян сымэ. АрщхьэкIэ ди гъуащхьэхъумэ щIалэщIэхэр къэдзыхакъым. Пэжщ, екатеринбургдэсхэм яхэт Бырхьэм Къантемыр топыр къытхудигъэкIыным мащIэщ иIэжар. ЗэIущIэм и иужь дакъикъэхэм бжыгъэр зэхуэдэ хъуж пэтащ. АрщхьэкIэ ди гъуэ нэщIым кIуэ топым Абазэм къригъэгъэзащ. Арати, «Спартак-Налшыкым» 1:0-у текIуэныгъэ гугъу «Урал»-м къыфIихьащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокым хыхьэ зэхьэзэхуэм и япэ джэгугъуэм къызэрыщыхагъэщIам хуэфэщэн жэуап налшыкдэсхэм иратыжащ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25272.txt" }
ЗэфIэкIышхуэ къагъэлъагъуэ Воронеж къалэм щекIуэкIащ студентхэм бгырыпх бэнэкIэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм абы зэфIэкI лъагэ къыщагъэлъэгъуащ икIи медалих къыщахьащ. Къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэу 67-м я бэнакIуэ 238-рэ зыхэта зэхьэзэхуэм къыщыхахащ бадзэуэгъуэм и 6 — 10-хэм Къэзан щекIуэкIыну Дунейпсо универсиадэм хэтынухэр. Жемгуразов Азрэт килограмми 100-м щIигъухэм я зэпеуэм дыщэ медаль къыщихьащ. Тхьэгъэлэдж Азэмэт (кг 62-рэ), хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуа, Тэтэрстаным щыщ дунейпсо чемпион Гарипов Марат къыхигъащIэри, дыжьыныр къыIэрыхьащ. Дэхъушокъуэ Хьэчими (кг 100) къылъысар етIуанэ увыпIэрщ. Жэз медалыр къахьащ Эфендиев Расул (кг 90), Сокъур Артур (кг 90), Мысост Мурзэбэч (кг 100-м щIигъу) сымэ. Зэпеуэм япэ увыпIищыр къыщызыхьахэр Дунейпсо Универсиадэм кIуэну Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хагъэхьащ. Ди щIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ тренерхэу ГъуаплъащIэ Замир, Гаженов Юрий, ГъуаплъащIэ Арсен, Къудей Заур, Чочаев Елдар сымэ. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25274.txt" }
Алыдж-урым бэнэкIэ Дыщэр зи Iэрылъхьэхэр Москва щекIуэкIащ Олимп чемпион Гуревич Борис и фэеплъу къызэрагъэпэща, кIэдетхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Урысейм, Армением, Къыргъызым, Украинэм къикIахэр. Спортсменхэм я бжыгъэр 300-м щIигъурт. Зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр щахъумащ Адыгэунэ Маирбэчрэ (кг 76-рэ) Тен Андемыррэ (кг 100). Ди щIалитIми дыщэ медаль къахьащ. Ахэр Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хагъэхьащ. Атлетикэ хьэлъэ КъБР-м и спортсмен 17 хэтщ Урысейм атлетикэ хьэлъэмкIэ и федерацэм и сайтым къралъхьащ къэралым и командэ къыхэхам 2013 гъэм хагъэхьэнухэр. Урысейм и командэ къыхэхам япэу ираджэнухэм ящыщщ Геккиев Таукъан (кг 69-рэ), Гобеев Михаил (кг 77-рэ), Петров Дмитрий (кг 85-рэ), Бидеев Аслъэн (кг 94-рэ), Олимп джэгухэм дыжьын, жэз медалхэр къыщызыхьа Аккаев Хьэжмурат (кг 105-рэ). Абыхэм къакIэлъокIуэ Сэбаншы Мартинрэ (кг 105-рэ) Фомичев Дмитрийрэ (кг 105-рэ). Илъэс 23-рэ иримыкъуахэм я гупым хэтщ Макаровэ Галинэ (кг 75-рэ). А гуп дыдэм и резервым хагъэ-хьащ Лукин Артур (кг 77-рэ). Илъэс 20 иримыкъуахэм я гупым хэтщ Тэмазэ Мурат (кг 56-рэ), Лефлер Артём (кг 77-рэ), Сарадубцевэ Еленэ (кг 58-рэ) сымэ. Резервым хиубыдащ Саломатов Дмитрий (кг 56-рэ), Къудей Жэмал (кг 94-рэ), Узденов Мурат (кг 94-рэ), Ананьевэ Иннэ (кг 58-рэ) сымэ. Назаров Владимир (кг 56-рэ) илъэс 17 иримыкъуахэм я резерв гупым хэтщ. Пщынокъуэ Залым, КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25277.txt" }
Тхыдэр къызэрыщ гъуджэшхуэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Адыгские (черкесские) золотошвеи из Причерноморской Шапсугии» зыфIаща тхылъ-сурэтылъэ екIур. Куэдым гъэщIэгъуэн ящыхъуа мы лэжьыгъэр и IэдакъэщIэкIщ Иуаныкъуэ Мадинэ (парт лэжьакIуэ цIэрыIуэ Дохъущокъуэ Мусэ и пхъум). Дыщэидэр зи IэщIагъэу щыта цIыху цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэхэр илъэс зыбжанэкIэ зэхуэзыхьэса Иуаныкъуэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ящыщ зы Iыхьэщ мы тхылъ-сурэтылъэр. Уеплъыну гухэхъуэщ дыщэидэм хуэIэпщIэлъапщIэхэмрэ абыхэм я лэжьыгъэхэмрэ траха сурэт щIэщыгъуэхэм. Мадинэ мы лэжьыгъэр щIигъэхьэзырар лъэпкъым къыдекIуэкI IэщIагъэ дахэр — пасэрей дыщэидэр, хэдыкIыр — хъумэным, щIэблэр абы дегъэхьэхыным хэлъхьэныгъэ хуищIын папщIэщ. Альбомым къивгъуэтэнущ XIX лIэщIыгъуэм и кIэухым, XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм, нэхъ иужьыIуэкIэ щыIа IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэм траха сурэтхэр. А хьэпшып гъуэзэджэхэр хагъэхьауэ щытащ 1913 гъэм екIуэкIа урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэм. Зи гугъу тщIы тхылъ-сурэтылъэм ихуащ тенджыз фIыцIэм и Iуфэм Iуса шапсыгъхэм бийм зэрыпэщIэт Iэщэу ящIауэ щытахэр, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIуугъэнэхэр, дыщэ, дыжьын IуданэхэмкIэ хэдыкIа, тхыпхъэ зэхуэмыдэхэмкIэ гъэщIэрэщIа, уагъэхэмкIэ гъэдэха фащэхэмрэ пыIэхэмрэ, цейр, хьэзырылъэхэр, бгырыпхыр, щIакIуэр, бащлъыкъыр. А лэжьыгъэхэм я дахагъым уатхьэкъу, фIым ухуаущий, дэрэжэгъуэ къуат. Нэхъыщхьэращи, лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэм ухагъаплъэ. Аращ тхылъым и мыхьэнэр, и пщIэр зыгъэиныр. А лэжьыгъэхэр Краснодар крайм (Сочэ, ТIуапсы, Лазаревскэ посёлкэм) я музейхэм я мызакъуэу, цIыху щхьэхуэхэм я унэхэми хуэсакъыу щахъумэ. Псори дыщыгъуазэщ Кавказ Ищхъэрэм ис адрей лъэпкъхэми къэзакъхэми адыгэхэм я Iэщэ-фащэр къызэращтам. XIX лIэщIыгъуэм и 40 гъэхэм адыгэ цейр Кавказым къулыкъу IуэхукIэ щыIэ къэзакъхэм я фащэ хъуащ. Абы фащэм и пщIэр нэхъри иIэтащ. Кавказым щекIуэкI зауэхэм заукъуэдииху, цейми кIуэ пэтми Урысейм, ауэрэ, дуней псом зыщиубгъуащ. Тхылъ-сурэтылъэм и гуэдзэным къыщыхьащ декоративно-прикладной гъуазджэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм хуэIэпщIэлъапщIэ, Урысейм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэхэм зи лэжьыгъэхэр мызэ-мытIэу утыку щизыхьа адыгэхэм я цIэ-унэцIэхэр. ЗэрытщIэщи, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ, лъэпкъ гъуазджэм и щэхухэм щыгъуазэу, хуэIэпщIэлъапщIэу. Дыщэидэр адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм зэращыщым и щапхъэщ гъуэгуанэшхуэ зэпызыча а IэщIагъэм и мыхьэнэм хэмыщIауэ нобэр къыздэсым цIыхухэр зэрыдихьэхыр, ар зэрафIэщIэщыгъуэр. Дыщэидэм, хэдыкIым Iэмал къуат адыгэхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм хуаIа экономикэ, политикэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэмрэ зэхущытыкIэхэмрэ уриплъэжыну. ЖыпIэнуракъэ, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ апхуэдизу хэпщIа хъуа дыщэидэр тхыдэм и къэхъугъэхэр къызэрыщ гъуджэшхуэщ. Пасэрей IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэр хъумэнымкIэ мы тхылъыр сэбэп зэрыхъунур, лъэпкъым и цIыхухэм ящыщу ар IэщIагъэ зыхуэхъуахэм зэрахуэщхьэпэнур ди фIэщ мэхъу. Лэжьыгъэр дэIэпыкъуэгъуфI хъунущ лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр тхъумэнымкIэ. Тхылъ-сурэтылъэр дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми илъыну зэранкъым, уеблэмэ ныбжьэгъухэр, Iыхьлыхэр, гъунэгъухэр зыщыгуфIыкIын саугъэтщ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25278.txt" }
НэхъыфIхэм папщIэ — саугъэт нэхъ лъапIэ Дунейпсо Арткомитетым Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къудамэм илъэс къэс къызэригъэпэщ Iуэху дахэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэм (Налшык къалэ). Я лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэу, Кавказым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэр яхъумэу къызэрыгъуэгурыкIуэм папщIэ, уэрэджыIакIуэ, композитор нэхъыфIхэм «Золотой микрофон» саугъэт лъапIэр иратащ. Апхуэдэхэщ: Чэрим Ринат, Аслъэн Iэсият, Рахманов Къасбулэт, Аппаев Алим, Биштов Азэмэт, зэгъусэу уэрэд жызыIэхэу Кесаев Эльбрусрэ Болотаевэ Маерэ, Успаев Амур сымэ. Зэхыхьэм къекIуэлIахэм IэгуауэшхуэкIэ утыку ирагъэблэгъащ Сокъур Ольгэ, Газаев Алим, Гуцаты Нодар, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Даур Иринэ, Багъ Любовь, Уэзрокъуэ Чэрим, «Кабардинка» къэрал академи- ческэ къэфакIуэ гупыр, КъБКъУ-м къафэмкIэ и «Каллисто» ансамблыр, цIыхубэ къафэмкIэ «Маленький джигит» гупыр, нэгъуэщI куэди. Пашэ хъуахэм я саугъэтхэр иратащ Урысейм и цIыхубэ артисткэ, Къэрал саугъэтым и лауреат, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и профессор Гъэ-сашэ Наталье, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ Созаев Ахъмэт, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, композитор Жырыкъ Заур, «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телеканалым и унафэщI Дроздов Игорь, Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и республикэ комитетым и унафэщI Дау Марианнэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Музыкэ театрым и унафэщI Бэрэгъун Руслан, Ингуш, Шэшэн республикэхэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ я артист, «Кабардинка» къэфакIуэ гупым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь сымэ. Абыхэм къыхагъэщащ лъэпкъым и фIыгъуэр хъумэным теухуауэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ мыхьэнэ ин зэраIэр, утыку къраша дэтхэнэ лэжьакIуэми ахэр зэрырипагэр. Дунейпсо Арткомитетым хэтхэм я мурадщ «Золотой микрофон» саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм я клип зытет видео къыдагъэкIыну. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25284.txt" }
ТхакIуэ щэджащэхэм я фэеплъу ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэу Налшык щыIэ институтым иджыблагъэ щекIуэкIащ 5 — 11-нэ классхэм я къэхутэныгъэ, творческэ лэжьыгъэ нэхъыфIхэм я республикэпсо зэпеуэр. Хьэгъэжей Миланэ и лэжьыгъэр куэдым ягу ирихьащ. Ар къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн хъуат КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр, «Адыгэ псалъэ», «Заман» газетхэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр, «Эльбрусоид» цIыхубэ фондыр. БзищымкIэ (адыгэбзэ, балъкъэрыбзэ, урысыбзэ) екIуэкIа зэпеуэр теухуат адыгэ, балъкъэр тхакIуэшхуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, Нало Заур, Кулиев Къайсын, Отаров Керим сымэ я гъащIэмрэ я творчествэмрэ. Iыхьищу зэщхьэщыхауэ екIуэкIащ зэпеуэр. Япэ щIыкIэ я школхэм, абы къыкIэлъыкIуэу куейпсо зэхьэзэхуэхэм зи зэфIэкIхэр щызыгъэлъэгъуа еджакIуэ цIыкIухэм я нэхъыфIхэр къыхахри, Налшык махуитIкIэ щызэпеуащ. Япэ махуэр теухуат адыгэ тхакIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алийрэ Нало Зауррэ. Абыхэм я творчествэм дихьэх ныбжьыщIэ куэд щызэхуэсат а махуэм еджапIэм. Ахэр тхакIуэшхуэхэм я IэдакъэщIэкI гъуэзэджэхэм адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ Iэзэу къеджащ, бзэхэм я шэрыуагъыр, дахагъыр псэкIэ зэрызыхащIэр нэрылъагъуу. ЕджакIуэ цIыкIухэм утыку кърахьа проектхэм къызэщIаубыдэрт темэр щызэпкърах тхыгъэр, абы дэщIыгъу презентацэ гъэлъэгъуэныгъэр къагъэсэбэпурэ, къэпщытакIуэхэм я пащхьэ лэжьыгъэм щытепсэлъыхьыныр, усэхэм гукIэ къеджэныр. НыбжьыщIэхэм я зэфIэкIыр здынэсыр къапщытащ анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм, методистхэм. Зэпеуэм хэтахэр. Зэпеуэм икъукIэ жыджэру зыкъыщагъэлъэгъуащ куей зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа «щIэныгъэ лэжьакIуэ цIыкIухэм». 5 — 8-нэ классхэм щIэсхэр зыхиубыдэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Къардэн Миланэ (Сэрмакъ, 2-нэ курыт школ, 7-нэ кл.); етIуанэ увыпIэр зэдагуэшащ Щокъуий Роксоланэрэ (Къулъкъужын Ипщэ, 3-нэ курыт школ, 7-нэ кл.) Акъбай Азэмэтрэ (Малкэ, 2-нэ курыт школ, 8-нэ кл.). Ещанэ увыпIэри зэдагуэшащ еджакIуищым. Ахэр ЛIэужь Роксанэ (Дейскэ, 2-нэ курыт школ, 6-нэ кл.), Темыркъан Дианэ (Нарткъалэ, 5-нэ курыт школ, 7-нэ кл.), ГъукIэ Аминэ (Шэджэм ЕтIуанэ, 1-нэ курыт школ, 6-нэ кл.) сымэщ. 9 — 11-нэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр зыхэта гупым лэжьыгъэ нэхъыфI дыдэу къыщалъытащ Шэджэм ЕтIуанэм щыщ, 9-нэ классым щеджэ Хьэгъэжей Миланэ игъэхьэзыра «ЩIэблэм ебгъэлъагъур и гъуэгущ» зыфIищар. Миланэ и лэжьыгъэр теухуат лъэпкъым и бзэр хъума хъунымкIэ, щIэблэм и анэдэлъхубзэм зегъэужьынымкIэ Нало Заур и тхыгъэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм. Пщащэ цIыкIум лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIар, зэпеуэм егугъуу зэрызыхуигъэхьэзырар къагъэлъагъуэрт абы зэхуихьэсыжа сурэтхэмрэ хьэлэмэту иухуа и къэпсэлъэныгъэмрэ. Миланэ къэхутэныгъэхэр щригъэкIуэкIым, шэч хэмылъу, Нало Заур и тхыгъэ куэд щIиджыкIащ, а цIыху щэджащэм Iурылъа бзэм и къулеягъыр куууэ зыхищIащ. 4-нэ классым щIэс цIыкIухэм IуэрыIуатэр зэрырагъэджым, псалъэжьхэм, псысэхэм, псынщIэрыпсалъэхэм сабийм я бзэм, я зэхэщIыкIым зэрызрагъэужьым зэман гуэркIэ кIэлъыплъащ, абы и ужькIэ ахэр и лэжьыгъэм щызэпкърихыжащ. Зи гугъу тщIы гупым етIуанэ увыпIэр къыщахьащ Ету Хьэжмухьэмэдрэ (Къулъкъужын Ипщэ, 1-нэ курыт школ, 11-нэ кл.) Мысост Оксанэрэ (Зэрэгъыж, 9-нэ кл.); ещанэ увыпIэр хуагъэфэщащ Блий Миланэ (Урыху, 9-нэ кл.). УрысыбзэкIэ екIуэкIа Iыхьэм хэтахэм я зэфIэкIхэм кIэлъыплъахэм увыпIэхэр мыпхуэдэ щIыкIэу ягуэшащ: еджакIуэ нэхъыщIэхэм я гупым щытекIуащ КIэдыкIуей Аидэ (Шэджэм ЕтIуанэ, 1-нэ курыт школ, 6-нэ кл.); етIуанэ увыпIэр Мамбэт Азрэт (Къулъкъужын Ипщэ, 1-нэ курыт школ, 6-нэ кл.), ещанэр Къуэдз Миланэ (Къулъкъужын Ищхъэрэ, 3-нэ курыт школ, 6-нэ кл.) сымэ хуагъэфэщащ. 7 — 8-нэ классхэм я зэпеуэм хэтахэм я нэхъыфIу къалъытащ ПщыхьэщIэ Оксанэ (ХьэтIохъущыкъуей, 1-нэ курыт школ, 8-нэ кл.); етIуанэ увыпIэр къихьащ Бейтыгъуэн Миланэ (Лашынкъей, 2-нэ курыт школ, 8-нэ кл.); ещанэр зэдагуэшащ Къармэ СулътIанрэ (Шэджэм ЕтIуанэ, 1-нэ курыт школ, 7-нэ кл.) Нэгъуей Залинэрэ (ХьэтIохъущыкъуей, 3-нэ курыт школ, 7-нэ кл.). 9 — 11-нэ классхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Ныр Аминэ (Къулъкъужын Ищхъэрэ, 3-нэ курыт школ, 10-нэ кл.); етIуанэр Ету Хьэжмухьэмэд (Къулъкъужын Ипщэ, 1-нэ курыт школ, 11-нэ кл.); ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ Ныр Рузаннэ (Бахъсэн къалэ, 5-нэ курыт школ), Хьэтыхъу Иннэ, Хьэтыхъу Ксение (тIури Майскэ къалэм дэт ещанэ курыт еджапIэм щIэсщ) сымэ. Зэпеуэм и етIуанэ махуэр, ищхьэкIэ зэрыщыжысIащи, зытеухуауэ щытар балъкъэр тхакIуэшхуэхэу Кулиев Къайсынрэ Отаров Керимрэт. А зэхьэзэхуэм хэтахэми лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн куэд къагъэлъэгъуащ. ТхакIуэшхуэхэм я лэжьыгъэхэр лъэныкъуэ куэдкIэ зэпкърахащ, абыхэм ятеухуауэ тхыдэм къыхэна Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэм тепсэлъыхьащ еджакIуэ цIыкIухэр, я усэхэм узыIэпишэу гукIэ къеджащ. Къыхэгъэщыпхъэщ адыгэбзэкIэ екIуэкIа зэпеуэм хэта, Къулъкъужын Ипщэм дэт 1-нэ школым и еджакIуэ Бабыгуей Миланэ къызэхуэсахэм я пащхьэ щигъэлъэгъуа лэжьыгъэр. «Лъэпкъ цIыкIум и усакIуэшхуэ» — арат абы фIищар. Кулиев Къайсын и тхыгъэхэм нэхъ игу ирихьу къыхиха анэм и образым тепсэлъыхьа нэужь, Миланэ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрыщыхъур къыщигъэлъэгъуащ и сурэтхэм. ТхакIуэм хуэгъэзауэ зэхилъхьа усэ цIыкIуми Кулиевым и усэхэм щыщхэми Iэзагъышхуэ хэлъу къеджащ Миланэ. Я анэдэлъхубзэми, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я литературэми сабийхэр дезыгъэхьэх егъэджакIуэ Iэзэ, зи еджакIуэ нэхъыбэу зэпеуэм къыхэзыша КъуэщIысокъуэ Мадинэ фIыщIэ ин хуэфащэщ. Бабыгуей Миланэ зыхэта гупым (5 — 8-нэ классхэм) етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ а школ дыдэм щеджэ Iэхъуэбэч Дианэ, ещанэр – Хэжь Миланэ (Бахъсэн, 11-нэ школ). НыбжьыщIэ нэхъыжьхэми (9 — 11-нэ классхэм) я лэжьыгъэхэр зэмылIэужьыгъуэт, удэзыхьэхт, иджырей технологиехэр къызэрагъэсэбэпам ахэр нэхъ хьэлэмэтыж ищIырт. Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт 3-нэ курыт школым и еджакIуэ Багъ ФатIимэ япэ увыпIэр къихьащ, Къулъкъужын Ипщэм дэт 1-нэ школым щеджэ Бэлагъы Залинэ етIуанэр хуагъэфэщащ, Бахъсэн къалэм дэт 5-нэ школым къикIа Нэхущ Залинэ ещанэ увыпIэр къихьащ. УрысыбзэкIэ екIуэкIа зэпеуэм пашэ щыхъуахэщ Къэжэр Къантемыр (Прохладнэ къалэм дэт курыт школ №11), Воронин Артем (Звездный жылагъуэм щыIэ курыт школ), Къуэдзокъуэ Фаридэ (Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №8), Муртазов Батыр (Налшык къалэ щыIэ 9-нэ школ), Крикун Иринэ (Майскэ къалэм щыIэ курыт школ №5), Ли Алинэ (Прохладнэ къалэм дэт гимназие №2), Мэремкъул Алинэ (Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт курыт школ №3) сымэ. ТхакIуэшхуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, Нало Заур, Кулиев Къайсын, Отаров Керим сымэ я гъащIэм, я творческэ гъуэгуанэ купщIафIэм щыщу зыри къамыгъэна къыпфIэщIырт, еджакIуэхэм я лэжьыгъэхэм ущеплъкIэ. КъэпщытакIуэхэм я пашэ Инчы Иринэ фIыщIэ яхуищIащ зэпеуэм хэта псоми икIи еджэным, гъащIэм ехъулIэныгъэ щаIэну ехъуэхъуащ. ЩОДЖЭН Iэминат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25286.txt" }
Зауэ уIэгъэншэ хъуркъым Ди газетым зэрытетащи, мазаем и 15-м Налшык къалэ щекIуэкIащ Афганистан Республикэм советыдзэхэр къызэрырашыжрэ илъэс 24-рэ зэрырикъум теухуа Iуэхугъуэхэр. Ветеран Къэтей Къазбэч и гукъэкIыжхэр къеIуатэ. Пщэдджыжьым сыхьэти 10-м «Налшык» спорт комплексым щызэхашащ IэпщэрыбанэмкIэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ, ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэхэм, «Урысей зэкъуэт» партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и гъэзэщIакIуэ комитетым, Афганистаным щызэуахэмрэ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм хэтахэмрэ я зэгухьэныгъэм, IэпщэрыбанэмкIэ федерацэм. ЕкIуэкI Iуэхум и мыхьэнэм и инагъыр зыхыуигъащIэу, спорт макъамэ лъэщ къэIуащ. Фащэ зэкIужхэмкIэ зэщыхуэпыкIа, зыхэтыну зэхьэзэхуэм зэрыхуэхьэзырыр зи нэгум къищ щIалэхэр стадион утыкум къихьащ. Зэпеуэм кърихьэлIа нэхъыжьыфIхэм ныбжьыщIэхэм яхуэгъэза псалъэ Iущ куэд жаIащ а махуэм. Афганистаным щызэуахэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Тхьэгъэлэдж Тимур жиIащ: «Налшык» спорт комплексым щекIуэкI зэпеуэм кърихьэлIахэр. — Ветеранхэм я фэеплъу къызэдгъэпэща спорт зэхьэзэхуэхэм мыр я еянэщ. Iуэхум, сыт щыгъуи хуэдэу, фыкъызэрыхыхьам папщIэ ныбжьыщIэхэм фIыщIэ фхудощI. ЩIалэгъуалэрщ къэкIуэнур зейр. ЕхъулIэныгъэ фиIэну, зывузэщIыну дынывохъуэхъу! Фыщалъхуа щIыналъэр, фыкъызыхэкIа лъэпкъыр, абы и бзэр, и щэнхабзэр фIыуэ флъагъу. Ауэ зыщывмыгъэгъупщэ псоми ди зэхуэдэ зы къэралыгъуэшхуэ дызэрисри, хуей хъужыкъуэмэ, абы дыкъыщхьэщыжыну дызэрикъалэнри. А зэхьэзэхуэм къищынэмыщIа, Налшык къалэ и дей хадэм, Афганистаным щызэуахэм я фэеплъым деж, пэкIу щекIуэкIащ. ЦIыху куэд щызэхуэса дауэдапщэр екIуу къызэгъэпэща хъуат. Абы кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, республикэм и Дзэ комиссариатым, Афганистаным щызэуахэм я зэгухьэныгъэм, Налшык къалэ администрацэм, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ, ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэхэм, «Уры- сей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм, КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм, хабзэхъумэ органхэм я лIыкIуэхэр, еджакIуэ цIыкIухэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ. «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Канунниковэ Татьянэ Тхьэгъэлъэдж Тимур тыгъэ ирет. — Фи махуэ фIыуэ, ныбжьэгъу лъапIэхэ! — жиIащ Налшык къалэ администрацэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Дол Анжелэ, зэхуэсыр къыщызэIуихым. — Афганистаным щыIа советыдзэхэм ящыщу иужьрей полкыр 1989 гъэм мазаем и 15-м ди къэралым къихьэжащ. Псори зэхэту а къэралым щыIа ди зауэлIхэм ящыщу мин 14-р хэкIуэдащ, мини 6-р зауэм къикIыжа иужь илIыкIыжащ ягъуэта уIэгъэхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыху 55-м къагъэзэжакъым. Дэ нобэ абыхэм я адэ-анэхэм захуэдгъазэу жыдоIэ: «ФIыщIэ ин фхуэфащэщ, Хэкур фIыуэ зылъагъу бын зэрывгъэсам папщIэ!» ПэкIум къыщыпсэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Власов Александр: — Афганистан Республикэм щекIуэкI демократие зэхъуэкIыныгъэхэр а лъэпкъым дагъэкIуэтэну я мураду абы щызэуа, щыхэкIуэда ди лъахэгъухэр дигу къыщыдгъэкIыжкIэ, къыжыIапхъэу къыщIэкIынщ а зэманым Хэкум здигъакIуэ щIыпIэм икIэщIыпIэкIэ нэсыныр дэтхэнэ зы совет зауэлIым и дежкIи къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытар, — жиIащ абы. Зэхьэзэхуэр щекIуэкIым. АдэкIэ псалъэ иратащ Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэта, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Васильев Сер- гей. — Афганистаным советыдзэхэр къызэрырашыжрэ илъэс 24-рэ зэрырикъум теухуа дауэдапщэхэр нобэ СССР-м хэту щыта дэтхэнэ зы щIыналъэми щокIуэкI, — жиIащ министрым. — ЩIалэгъуалэм зыныфхузогъазэ: Хэкур зэрахъумэм и щапхъэ фиIэщ фэ нобэ. Си фIэщ мэхъу, хуей хъужыкъуэмэ, фыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрми ди къэралми факъызэрыщхьэщыжынур. — КъыттекIуауэ ди дзэхэр а къэралым къикIыжакъым, — жиIащ Ветеранхэм я Налшык къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа. — ДыздэщыIахэм, абы щыдгъэзэщIа къалэным папщIэ фIыщIэ ин къытхуащIу дыкъэкIуэжащ. Абы щыгъуэ дунейм и зы дэтхэнэ щIыпIэми нэрылъагъу щыхъуащ ди къэралым къыфIэлIыкIыу, пщIэ къыхуащIу щытын зэрыхуейр. НыбжьыщIэхэм вжызоIэ: цIыху щыпкъэу дунейм фытет, сыт хуэдэ лъэпощхьэпо фримыхьэлIэми, фи гум дахагъэрэ пэжыгъэрэ ивгъэлъ! Зэхьэзэхуэр щекIуэкIым. МВД-м и жылагъуэ советым хэт, генерал-лейтенант Щоджэн Хьэчим жиIащ а къэралым щекIуэкIа зауэм зэрыхэтам нэмыщI, ди цIыхухэм абы заводхэр, школхэр, сабий садхэр зэрыщаухуар. «Зауэм зэкъуэш ищIахэр» ветеран зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарь ГъукIэ Хьэсэнбий ШынагъуэншагъэмкIэ федеральнэ къулыкъуу КъБР-м щыIэм и цIэкIэ Афганистаным щызэуа зауэлIхэм ехъуэхъуащ, «Афганистаным советыдзэхэр къызэрырашыжрэ илъэс 15 ирокъу» юбилейнэ медалхэмрэ ЩIыхь тхылъхэмрэ яхуигуэшащ. КъБР-м ис муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дзасэжь Хьэзрэталий дыуэ яригъэщIащ Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэкIуэдахэм папщIэ. Зэхыхьэм и кIэм удз гъэгъахэр фэеплъым тралъхьащ. ИужькIэ зэIущIэм хэтахэр ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ зыгъэпсэхупIэ паркым щыIэ МафIэ мыужьыхыжым деж зауэм хэкIуэдахэм щахуэщыгъуащ, удз гъэгъахэр тралъхьащ. КЪУМАХУЭ Аслъэн. Сурэтхэр Мамий Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25292.txt" }
Псапэ фщIэным фыхуэпIащIэ Налшык къалэ дэт медицинэ колледжым мазаем и 14-м Iуэху щхьэпэ щекIуэкIащ. Медицинэ колледжым и къэфакIуэ гупым пшыхьыр ягъэдахэ. Колледжым щIэсхэмрэ щылажьэхэмрэ я къарукIэ къызэрагъэпэща пшыхьыр лышх уз зыпкърыт сабийхэм ядэIэпыкъуным теухуат. «Псапэ фщIэным фыхуэпIащIэ» Iуэхум кърихьэлIа дэтхэнэми ахъшэу игу пыкIым хуэдиз иридзэрт ашык цIыкIухэм. ЦIыху Iущ гуэрым жиIэгъауэ щытащ: «ФIы щыпщIэкIэ, ар зыхуэпщIэр псом япэ уи щхьэщ, IуэхуфI пщIэху, уи псэр нэхъ къулей мэхъу». КъыжыIапхъэщ, пшыхьыр щекIуэкIа пэшым цIыхур щIэзу зэрыщIэсар, гуапэщ ди щIэблэр псапащIэ Iуэхухэм зэрыпылъыр. Зэхуэсыр къызэIуахащ икIи ирагъэкIуэкIащ колледжыр къэзыуха Щокъарэ Болэтрэ ЛIыхъугу Аминэрэ, колледжым щеджэ- хэу Пщыкъуэ Iэулэдинрэ Мыхь Залинэрэ. Абыхэм я псалъэхэм къыхагъэщащ зэгуэкIуахэм я махуэм ирихьэлIэу, хабзэ яхуэхъуауэ, лышх къызэузхэм зэрадэIэпыкъун ахъшэ зэрызэхуахьэсыр, пшыхь дахэ зэрырагъэкIуэкIыр. Мы гъэм абы нэхъри зыхуагъэхьэзыращ, я еджапIэр илъэс 80 ирикъурти. Ахъшэ зрадзэ ашык цIыкIухэр IуплъапIэм щытщ. Макъамэмрэ гушыIэмрэ щIамыдзэ щIыкIэ, абыхэм утыкум кърашащ медицинэ колледжым и унафэщI Пщыбий Светланэ. Пшыхьым кърихьэлIахэр къригъэблэгъа нэужь, Светланэ къызэхуэса псори фIыуэ зэрилъагъур жиIащ. — Хьэуэ, сэ сыщыуакъым. Нобэ фIыуэ зэрылъагъу псоми я махуэщ. Лъагъуныгъэр езыр куэду зэтепщIыкI гурыщIэщ. Абы и Iыхьэ гуэркIэ сэри фIыуэ фызолъагъу. Лъагъуныгъэр щымыпсэу гур гъащIэншэщ, — жиIэри, Рождественский Роберт и усэм къахуеджащ. ИтIанэ дэтхэнэ зыми ехъуэхъуащ лъагъуныгъэр инрэ куэду я гум щыпсэуну. Пшыхьыр адэкIэ нэгузыужьу ирагъажьэри, езы колледжым щIэсхэм Iэзагъэшхуэ яхэлъу, еджэным и мызакъуэу, къэфэнми, уэрэд жыIэнми, гушыIэ теплъэгъуэ цIыкIу къагъэлъэгъуэнми зэрыхэзагъэр къызэхуэсахэм хьэкъыу я фIэщ ящIащ. Пэжщ, сымаджэ псоми зэрадэIэпыкъуфын мылъкушхуэ щIалэгъуалэм яхузэхуэхьэсынукъым, ауэ яхузэфIэкI ящIэри, ари гуапэщ. Инэрокъуэ Данэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25302.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэрым и радиор йофIакIуэ Мазаем и 1-м щыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и лэжьыгъэм узыщыгуфIыкIын зэхъуэкIыныгъэ игъуэтащ. Иджы езым я канал яIэжу (FM-99,5) махуэм сыхьэт 12-кIэ мэлажьэ урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ. Пщэдджыжьым сыхьэтиблым щыщIэдзауэ пщыхьэщхьэм сыхьэтибл хъуху федэIуэну Iэмал фиIэщ пшыналъэхэм, уэрэдхэм, IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэхэм, литературэм и ехъулIэныгъэхэм, нэгъуэщI къинэмыщIхэми. Мы каналыр ялъэIэсынущ жылагъуэ пхыдзахэм, уеблэмэ хамэ къэрал щыпсэухэми.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25307.txt" }
Нобэ Джейхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ Тыркумэным щагъэлъапIэ я къэрал ныпым и махуэр 1837 гъэм Лермонтов Михаил «УсакIуэм и лIэныгъэ» усэр, Пушкин зэраукIам теухуар, тхын иухащ. 1954 гъэм Кърымыр Урысейм хагъэкIри, Украинэм иратащ. 1986 гъэм СССР-м «Мир» станцыр хьэршым ириутIыпщхьащ. Мазаем и 19 — 20-хэм Берлин (Германие) щекIуэкIынущ Европэ къэралхэм я полицейхэм я конгресс. Адыгэ музыковед Къардэн Юлие къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 1 — 2, жэщым 0 — 1 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25309.txt" }
Гугъуэт Заремэ: Сыножьэрт сыт щыгъуи Зэщхьыркъабзэу вагъуитI ХолыдыкIыр уафэгум. Ди гухэлъхэр щхьэхуитщ, Зы уэрэдщ зыщIэдэIур. НасыпыфIэу гъащIитI ЗыщагъафIэ зы жьэгум. КъысхуаIуатэр уи нитI УщIыщIэтыр си нэгум. *** Сохъумэ гупсысэр, Гу лъащIэм щотIыгъуэ. СымыщIэ зищIысыр ГурыщIэ къысщIыгъур. Сыхохьэ уи гъащIэм, СынокIуэ сыпIащIэу. Зэманым и къуащIэм ЕбзыщIыр гурыщIэр… Уи закъуэу къищIащи, Гур хоплъэ нэщхъейуэ. Насыпыр уи гъащIэм Хэтат хьэулейуэ. 10.08.2012. * * * Гухэлъ хьэщIэ, Аргуэру усэщIэ. Гугъэ мащIэ, Гупсысэ щIэращIэ. Макъ щIэщыгъуэ… Сыножьэрт сыт щыгъуи. ЗэблэкIыгъуэ… Ныппэплъэрт сигу зы гъэ. ГукъэкIыжхэр Зы гъащIэу блокIыжхэр. Гухэлъ хьэщIэм Сэ хамэ сещIыжыр. 10.08.2012. * * * Согъэзэж аргуэру, Уэ пхуэдабзэ сохъуж. Сэ зэманым и гъэру Сыщытыжкъым. СокIуэж. Сыныдохьэ уи пщIантIэм, Удз гъэгъа пхузогъэкI. Себгъэблагъэми жьантIэм, Бжэ Iухам сыхуоплъэкI. СщIэркъым си гур зыщыщыр, Е уэра, е нэгъуэщI… ДунеитIу зэмыщхьым СхуагъэтIыгъуэ я куэщI. Псэ гуитIщхьитIыр нэщхъейуэ ГъащIэм и кум къинащ. Згъэзэжыну сыхуейми, ЩIыхуэ гуэр къыстенащ. * * * Си псэлъэгъур ухэт? Угухэлъ, угугъапIэ?.. Щхьэ си нэгум ущIэт, ГукъэкIыжхэр нэхъапэ? Хуэму напIэр соIэт, УбзэхынкIэ сышынэу. КъызохьэкI зы сурэт, ГукъэкIыжхэр сопшыныр. 16.07.2012. * * * Укъыспоплъэ, сощIэ, укъыспоплъэ, Ди гухэлъым си гур сфIыщIоуз. Укъызоплъыр, куэдрэ укъызоплъыр, Дытохьэж итIани гъуэгу зырыз. ЗыхызощIэ, гуауэр зыхызощIэ, Нэпс сшыIахэм си гур щIалъэсыкI. Уэри уощIэ, пэжыр уэри уощIэ, ГъащIэм и хьилагъэм хыбощIыкI. Укъызблеш зэманым, сыныбблеш, Псэ бэмпIари тIэкIу тосабырэж. Гур мэусэ, уи уэрэд къреш, И блэкIа гухэлъыр егъэпэж. * * * Зэпыукъым уэшхыр, Уэшхпсэ гъащтэр. Сэращ ар зэщхьыр, Сигу къутахуэрщ. Зэхэсхи хуэдэщ Уэрэд гуэри. ЩыIэжкъым хэдэ, УощIэ уэри. Нэщхъейщ уэрэдыр, Хэлъкъым гъащIэ. БлэкIар зыхуэдэр КъызегъащIэ. Зэгуоп сыхьэтыр, Пэшыр нэщIщи. Сыкъызэрытыр ФIэгухэщIщи. 09.06.2012. * * * ЗэблэкIыпIэ. ЗыщIыпIэ докIуэ. КъэувыIэ. Уи цIэ изоIуэ. Ухэмыхьэ. Пшэр зэрызохьэ. Сынэзыхьыр си гурщ. Ныплъохъуэ. Зы щIэдзапIэ. ГукъэкIыж лъапIэ. Сыт гугъапIэр… Уэращ си плъапIэр. ЩIыIэр щыIэщ. Си гур еуIэ. Псалъэр шыIэ, сыкъыбгурыIуэм! Зыщ макъамэр, сыкъэзыгъанэр. Сщыщ зэманыр зыхэлъ архъуанэр. — СщIэркъым, дауэ? — Укъызодауэ. Гур мэзауэ, къыщиудауэ… Зы лъэужьи… ГъащIэ нэужьи… Сыпемыжьэ. Уэри ужыжьэщ. Зыри пщIэжкъым. Сэ усхуэдэжкъым. КъыщIэддзэжми, дыщыIэжкъым. 18.06.2012. * * * ЗэкIэлъыпIащIэу, зэкIэлъыпсалъэу, Махуэхэр щIым зэщIифт. Гупсысэ защIэу, зыр зым хуэдалъэу, Жэщым гукъеуэ игъэвт. КъыслъэмыIэсу, къысхузэгуэпу, Гугъэр зеиншэу къызэплът. Сыпэмылъэщу, си гъащIэм хэту, Зы псалъэ дыдж къыспэщIэтт. 17.06.2012. * * * ЗоплъэкIыр си гур, ныпхуоплъэкI. НысфIыщIоплъэж уи нэгу. КъыздэщI щымыIэ, мазэм фIэкI, Ныздытехьэнщ ар гъуэгу. Ухуейми гъащIэм еудэкI, КъомыхъулIа уи Iуэху. Гукъеуэр псалъэхэм йобэкI, Гупсысэ, уи закъуэху. Зэхимых щIыкIэу псалъэмакъ, Зэманым зеущэху. Гу уIагъащIэхэм хуосакъ, Ди нитIыр зэхуэзэху. Аргуэру гугъэ къызэпхедз Ужьыхыжа дунейм. Гухэлъыр куэду зэщхьэщедз, Хигъадэу псэр зыхуейм. * * * ЗэтрепIэ къалэм и напIэр, Хилъэфэнущи жейм. Ягъэлыду уафэм и напэр, ХэкIутащ вагъуэ жьгъей. Си щхьэгъубжэм къощыр сурэту Къалэ жейм и дунейр. УзоцIыхур, сощIэ ухэтми, Услъагъунущ пщэдей. * * * ЩыIэжкъым гугъапIэ, Мэгъуащэ, мэщащэ дунейр. Гупсысэм я кIуапIэр Сэращи, къызащIэ зыхуейр. * * * Гугъэ гуэр къызопэщэщ, Зэпиплъыхьу гукъеуэр. БлэкIа махуэм узогъэщхь, Згъэзэжыну сыхуейуэ. Псалъэ налъэ соутIыпщ, Хуиту гум щызгъэфIауэ. ГукъэкIыжхэми сащыщщ, Ди гъащIитI зэхыхьами. * * * Укъэмыджэ аргуэру, Си деж гъащIэ щыIэжкъым. Згъэвыжынущ сэр-сэру Си гукъеуэ щIыIэжьыр. Нэсыжынущ гупсысэр И къежьапIэм, и Хэкум. Гугъэ гуэри и гъусэу, Ихутэнущ ар уэгум.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25313.txt" }
Жэз медалхэмрэ сом мелуан ныкъуэмрэ хэкIыжащ «Балтика» (Калининград) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 2:1 (0:1). Пафос къалэ (Кипр). «Йероскипу» стадион. Мазаем и 19-м. Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубок. Ещанэ увыпIэм теухуа зэIущIэ. 90-нэ дакъикъэм Чеботару (№35) и хьэрхуэрэгъур иреуд. Судьяр: Рогулев (Ломоносов). «Балтика»: Шелия, Марущак, Крючков, Зимулькэ, Курбанов (Рытов, 46), Сысуев, Чиркин, Стоцкий (Каленкович, 88), Вотинов, Сальников (Волков, 54), Зюзинс. «Спартак-Налшык»: Коченков, Засеев, Тимошин, Овсиенкэ, Багаев, Аверьянов, Руа Карлос, Галин (Сирадзе, 46), Буйтрагэ (Гъуэщокъуэ, 80), Зинович (Чеботару, 73), Медведев. Топхэр дагъэкIащ: Аверьяновым, 42 (0:1). Крючковым, 62 (1:1). Сысуевым, 90-пенальтикIэ (2:1). Дагъуэ хуащIащ Буйтрагэ, Тимошиным, Сальниковым, Зинович, Овсиенкэ, Засеевым. Джэгум къыхахуащ Засеевыр. Футбол Лъэпкъ Лигэм и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр щызыIэрагъэхьэн папщIэ дыгъуасэ Кипрым щызэIущIат «Спартак-Налшыкымрэ» «Балтика»-мрэ. IэщIагъэлIхэм я нэхъыбэм текIуэныгъэр зыхуагъэфащэр налшыкдэсхэрт, арщхьэкIэ… Командэхэм хуэсакъыпэурэ джэгур ирагъэжьащ. Зым и зэфIэкIыр адрейм къихутэну я мурад нэхъыщхьэу фIэкIа пщIэнтэкъым. Абы хуабжьу зэманышхуэ текIуэдащ. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэр и кIэм нэблэгъэпауэщ налшыкдэсхэм ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщ къыщызэрагъэпэщар. Засеевыр сэмэгурабгъумкIэ кIуэцIрыжри, топыр къыхитащ икIи калининграддэсхэм ящыщ зым абы къригъэгъэза щхьэкIэ, япэу нэсар Аверьяновырщ. Iэзэу еуэри, абы бжыгъэр къызэIуихащ. ЕтIуанэ Iыхьэм «Спартак-Налшыкым» и ехъулIэныгъэм зригъэужьын ди гугъа щхьэкIэ, дыкъэпцIащ. Пэжщ, ди щIалэхэр иджыри ебгъэрыкIуэрт, тепщэныгъэри яIэщIэлът. АрщхьэкIэ 61-нэ дакъикъэм «Балтика»-м и гъуащхьауэхэр зыIэщIагъэкIащ. Чиркиныр зэуа топым Коченковыр ерагъкIэ пэлъэщри, угловойм игъэкIуащ. Ауэ ар къыхата иужькIэ, Крючковым щхьэкIэ бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ. Къэхъуам ди щIалэхэр игъэгубжьа хуэдэт. Ахэр аргуэру къаруушхуэкIэ ипэкIэ кIуэтащ. Псом хуэмыдэу налшыкдэсхэр жыджэращ джэгум иужь дакъикъэ зыбгъупщIым. АрщхьэкIэ, япэ щIыкIэ Тимошиныр метр зытхухкIэ фIэкIа пэмыжыжьэу зэуа топыр гъуэм хуэзакъым. КъыкIэлъыкIуэу Чеботару перекладинэм техуащ. Апхуэдэхэм и деж къызэрыхъущи, щIэщхъуми зыпигъэплъакъым. Топ зэрыдимыгъэкIыфам Iэнкун ищIа Чеботару ди гъуэм пэмыжыжьэу и хьэрхуэрэгъур ириудащ. Пенальти. «Балтика»-м а Iэмал гъуэзэджэр зыIэщIигъэкIакъым икIи зэхьэзэхуэм и жэз медалхэмрэ сом мелуан ныкъуэмрэ къахуэзыхь текIуэныгъэр 2:1-уэ зыIэрагъэхьащ. Ди щIыпIэм къыщыхъуауэ Гъуэщокъуэ Арсен и закъуэ фIэкIа (ари иужь дакъикъипщIым) зыхэмыта Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм аргуэ- ру арэзы дыкъищIакъым. ЕтIуанэ лигэм къыхашу абы хагъэхьагъащIэмрэ махуитI-щы ипэкIэ бэджэнду «Сибирь»-м къарита илъэс 37-м зи ныбжьыр нэблэгъа Медведевымрэ «Спартак-Налшыкыр» нэхъ лъэщ зэрамыщIари нэрылъагъущ. Абы щыгъуэми япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм щIадзэжыным къэнэжар махуэ бжыгъэщ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25318.txt" }
Мазаер щIэкIэщІыр сыт? Мазаер илъэсиплІым зэ махуэ 29-рэ мэхъури, адрей илъэсищым махуэ 28-рэ фІэкІа хъуркъым. Сыту пІэрэ абы и щхьэусыгъуэр? ЗэрыжаІэмкІэ, апхуэдэу щІэхъун щхьэусыгъуэ лъэпкъ щыІэкъым, пэжыгъэ хэлъу, щІэныгъэр и лъабжьэу убгъэдыхьэмэ. Хэлъыр Рим императоритІым я зэныкъуэкъу, я гурымыхьщ. Нобэ дызытетыр григориан махуэбжылъэщ, щоджэн цІэрыІуэ Георгий VII и цІэм къытрахауэ. Абы и пэ итар юлиан махуэбжылъэрт. Абы дагъуэ гуэрхэр иІэу къыщІэкІынти, император Жулиус (ийулийус) Цезарь, а махуэбжылъэр зэрагъэзэхуэжыну унафэ яхуищІащ. Абы щыгъуэ Мысырым (Египет) щІэныгъэшхуэ щыІагъэнущ. Мысырым щыщу уэщІэныгъэхэмкІэ (астрономие, космографие, метеорологие) Іэзэу, еджагъэшхуэу Созиген а Іуэхур пщэрылъ щащIащ. А лъэхъэнэм ящІэ хъуат илъэсыр махуэ 365-рэ сыхьэтихрэ зэрыхъур. Сыхьэтихыр зэхэплъхьэмэ, илъэсиплІ къэс зэ илъэсыр махуэ 366-рэ мэхъу. А махуэ бжыгъэр мазэ 12-м къанэншэу тебгуашэ хъуртэкъыми, мазихыр махуэ щэщI-щэщIу, адрей мазихри дэтхэнэри махуэ 31-рэ хъууэ ягъэпсат. Ауэ илъэсыр махуэ 365-рэ щыхъу илъэсищым (махуэ 31-рэ хъу мазэхэм ящыщ зыр махуэ 30 ящІыным и пІэкІэ), яужь дыдэу щыт мазаер махуэ 29-м кърагъэхыну ягъэпсащ. Абы щыгъуэ япэ мазэр гъатхэпэрт. Апхуэдэу щыщыткІэ, илъэсыр махуэ 365-рэ щыхъу илъэсищым мазаер махуэ 29-рэ, илъэсыр махуэ 366-рэ щыхъу зы илъэсми махуэ 30 иукъуэдийуэ ягъэпсат. Рим император цІэрыІуэ Цезарь Юлий мазэ кІыхьхэм ящыщ зым — июль (бадзэуэгъуэ) мазэм езым и цІэр фІищат. Абы и ужькІэ император хъуа Августи езым и цІэр зэрихьэу зы мазэ къыхихащ, ипэрей императорым и цІэ зезыхьэ мазэм кІэлъыкІуэу. Ауэ ар махуэ 30-т зэрыхъури, езым и мазэр зы махуэкIэ нэхъ мащІэу щыту идакъым. Мо мазае «тхьэмыщкІэм» аргуэру зы махуэ къыхахри, шыщхьэІум (августым) хагъэхъуащ. Апхуэдэурэ пащтыхьитІым я мазитІыр дэтхэнэм ейри махуэ 31-рэ хъууэ ягъэпсащ, мазаер зы илъэсым махуэ 29-рэ, илъэсищым махуэ 28-рэ фІэкІ мыхъуу къагъэнащ. Иджы ар гурыІуэгъуэ хъуащ ауэ абы дэ адыгэхэм «мазае» щхьэ фIэтща? Дэ апхуэдэ хабзэ тхэлъакъым, «джэлам» делъэпэуэжу. Лъэщхэм абы махуэ зырыз фІыхахыурэ зэрагъэкIэщIам щхьэкIэ «мазафІэ» жытІэу дгъэфІэжыным и пІэкІэ, «мазае» фIэтщащ. Ар щхьэусыгъуэншэу къыщІэкІынукъым, нэсу дыщымыгъуазэ щхьэкIэ. ХЪУАЖЬ Фахъри.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25322.txt" }
Анэдэлъхубзэм и лъагъуэхэр Сэ сыадыгэу дунейм сыкъызэрытехъуам папщIэ Алыхьышхуэм шыкур хузощI, сыту жыпIэмэ ди адыгэ лъэпкъыр къулейщ хабзэ дахащэхэмкIэ, адыгэбзэ гурыхьымкIэ, жэнэт лъахэмкIэ, псом япэр аращи, ди цIыху дыщэхэмкIэ. Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыр и бзэр, и хабзэращ. Сыту гуапэ адыгэу ущытыныр! Сэ тхыгъэ куэд щIэзджыкIащ си лъэпкъым теухуауэ. Адыгэм и гъащIэр гугъуами, и напэр псом япэ иригъэщу илъэс мин бжыгъэкIэ къекIуэкIащ. АтIэ, нобэ дауэ щыт си лъэпкъ уардэр? Сытым тет ди бзэм и Iуэхур? Дигу щIэныкъуэн ди куэдщ, псалъэм папщIэ, зэман гуэркIэ узэIэбэкIыжмэ, сэ сыщыIат Налшык, адыгэбзэмкIэ семинарым. Абдежым къэбэрдейхэми адыгейхэми щыжаIауэ щытащ адыгэбзэ емыджэ адыгэ сабий ямыIэу, уеблэмэ Мейкъуапэ къалэм урыс сабийхэр адыгэбзэ щрагъэджэну щIэлъэIуу къалэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм лъэIу тхылъ щIалъхьауэ. Дэри нобэ и ужь дитщ ди сабий псори анэдэлъхубзэм едгъэджэну. Пэжыр жыпIэмэ, адыгэбзэ, мащIэ-куэдми, емыджа сабийр адрейхэм ялъэщIэбгъэхьэжыныр тыншкъым, ауэ сабийм гупыж ищIрэ егъэджакIуэмрэ адэ-анэмрэ къадэIэпыкъу къудеймэ, псори къыдэхъунущ. Иджы егъэджакIуэ псоми ягу щIэныкъуэ сыхьэт бжыгъэм сытепсэлъыхьыну сыхуейщ. АдыгэбзэмкIэ 5,6-нэ классхэм я тхылъхэр трагъэпсыхьащ тхьэмахуэм сыхьэтиплIкIэ адыгэбзэр ирагъэджыным. А лэжьыгъэхэр къыдэзыгъэкIар сытым щыгъуи дыкъыдэзыхыж ди лъэпкъэгъу къэбэрдейхэращ, ди деж къыдатыр сыхьэтищ къудейти, егъэджакIуи еджакIуи гугъу дыдехьырт. Ноби гугъапIэ щIагъуэ къыдатыркъым: 5-нэ классым щIэс сабийхэм тхьэмахуэм щыхухаха сыхьэтиплIыр сыхьэтитIкIэ дджын хуейщ адыгэбзэмкIэ, литературэмкIэ. СыхьэтитIым дджыуэ щыта псори зы сыхьэткIэ зэдгъэщIэн хуейуэ къагъэуващ. Сыту пIэрэ дызыхуэкIуэр? Ди нэхъыжьхэм псэкIэ гугъу дехьу тхузэрагъэпэща анэдэлъхубзэм, литературэм щIэблэр дедгъэхьэхын папщIэ, дэ диIэн хуейщ абы хурикъун зэман, псалъэм папщIэ, тхылъым дэхъуу грамматикэмкIэ сыхьэтиплI, литературэмкIэ сыхьэтитI . Апхуэдэуи адыгэбзэр езыгъэджыр куэдкIэ нэхъ гугъу йохь дерсыр нэхъ щIэщыгъуэ зэрищIын Iуэхугъуэхэр къигъуэтынымкIэ, адрей предметхэмкIэ щыIэщ «учебник-навигатор»-хэр. Интернетри сэбэп мэхъу. Сэ арэзы сытехъуэртэкъым си лэжьыгъэми, зэпымыууэ сылъыхъуэрт сэбэп къысхуэхъун Iэмалхэм. Сурэт (иллюстрацэ) згъуэтыртэкъым езгъэдж тхыгъэхэмкIи, художник Мамхэгъ Гуащэмыдэ селъэIуащ къыздэIэпыкъуну. Алыхьышхуэм и гуащIэм и хъер иригъэлъагъу а бзылъхугъэ IэкIуэлъакIуэм, и Iуэху къигъанэри, Гуащэ (дэ дызэреджэр аращ) ЩоджэнцIыкIу Алийрэ Уэхъутэ Абдулыхьрэ я тхыгъэхэм теухуауэ иллюстрацэ тхуищIащ, ахэр ноби сэбэп къысхуохъу. Дэ хуабжьу щIэгъэкъуэн къытхуэхъуфынут ди художникхэр а IуэхумкIэ, апхуэдэ къабзэу фIыт ди артистхэр къеджэу дджы тхыгъэхэм щIэдгъэдэIумэ ди еджакIуэ цIыкIухэр. Радиом иIэнкIэ мэхъу Акъ Мухьэрбэч къызэджэу щыта таурыхъхэр, абыхэм сабийхэр дихьэхыу щIэдэIуфынут. Адыгэ артист гупхэм ягъэува спектаклу хъуам видео трахауэ щыIэнкIэ мэхъу. Абыхэм ящыщу программэмкIэ бджым сабийр ебгъэплъыфмэ, сыт и уасэт?! Пэжщ, дэри къыдох Интернетым пасэрей, нобэрей уэрэдхэр, фильм гуэрхэри, спектакль пычыгъуэхэри, ауэ абыхэм арэзы дыдэ укъащIыркъым. Абы адэкIэ, сабийр адыгэбзэ емыджэмэ, ар къэтэджынущ бзэми хабзэми фэ иримыплъу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъым и къуэпсыр уи быным хупыпчауэ. Ауэ сытми жиIакъым Паустовскэм: «ЦIыхум узэрыщыгугъ хъунур кърипщIэфынущ ар и анэдэлъхубзэм зэрыхущытым». Пэж дыдэу, бзэм епцIыжыныр хуэдэщ уи щхьэр къэбгъэпцIэжыным. Елбэрд Хьэсэн жиIауэ «Уи бзэм елъэпауэр уи псэми елъэпэуэфынущ. Бзэмрэ псэмрэ зэтохуэ». Тыркум и деж япэм адыгэбзэкIэ псалъэу хуадэртэкъыми, я унэ лэжьыгъэр здащIми, тыркубзэкIэ сабийхэр зэпсалъэрт. Анэшхуэр абыхэм еупщIащ зэрызэпсалъэ бзэр зихуэдэмкIэ. Сабийхэм жаIащ: «ТыркубзэкIэ допсалъэ, нанэ, адыгэбзэкIэ дыпсалъэу ядэркъыми». Анэшхуэм жиIащ жи: «Тхьэ, уи бзэр пIызыхым уи псэри пIихынмэ». Мы зи гугъу сщIыр къызыхэсхар Ширдий Маринэ и тхылъ: «Тыркум щыпсэу адыгэхэр» жыхуиIэращ. А тхылъ дыдэм деж Маринэ щетх Токъмакъ Сэджид жиIа псалъэхэр: «Сабиигъуэм епхауэ зы гукъэкIыж IэфI сиIэкъым. Хуабжьу ткIийуэ даIыгът. КъыдгурымыIуэр анэдэлъхубзэкIэ дыпсэлъэну къыщIытхуамыдэрат. Унэм адыгэбзэкIэ дыщыпсалъэу къыткIэщIэдэIухьым зэхихмэ, пщэдджыжьым еджапIэм дыщаубэрэжьырт. Иджы адыгэбзэкIэ упсэлъэну ухуитщ, ауэ псэлъэн ягъуэтыжыркъым». Илъэс бжыгъэ куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, сэ седжауэ щытащ Мюнхен къыщыдагъэкIа «Щыблэ» адыгэ газетым. А газетым адыгэу дунейм тетыр къыхуриджат зэкъуэувэу Къущхьэ Догъэн тырку хьэпсым кърагъэгъэкIыжыну. Сытыт Догъэн ищIар? Ди къэралым ираха тхылъ, кассетэ, журнал къыщагъуэтат и унэм. АдыгэбзэкIэ тхылъ еджат, уэрэд едэIуати, илъэсий къытралъхьэри ягъэтIысат. Уи анэдэлъхубзэм папщIэ узыгъэтIыс къэралыр генерал Засс лIыукIым илэжьахэм сыткIэ къыщхьэщыкIрэ? ТIури лъапсэрыхщ. Мелуан бжыгъэкIэ Тыркум щыIэ ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэр яIурылъыжкъым. Хамэ къэрал щыпсэум залымыгъэкIэ бзэр IэщIагъэхуамэ, ар лъэпкъ гукъеуэ ирокъу, ауэ и лъахэ щыпсэу адэ-анэм я быным адыгэбзэ ирамыгъэджмэ, ар гукъеуэ тIуащIэщ. Сыту жыпIэмэ «Бзу пэтрэ и шырым и бзэ Iурелъхьэ». Ауэ сытми жаIакъым: «Бзэр лъэпкъым и псэщ» е «Бзэншэ лъэпкъыр псэншэщ». Зыгуэрхэм жаIэ ди бзэр мы илъэс щэ ныкъуэм кIуэдыжыну ялъытэхэм ящыщу. Алыхьым жимыIэкIэ ар къэхъуну, ауэ дэри хьэрычэт гуэр тщIэн хуейщ. Урыс псалъищэ къэс плIыщIыр хамэбзэм щыщу ялъытэ, атIэ сыту пIэрэ дэ дыщIэгузавэр урыс псалъэ ди бзэм къыхохуэ жытIэу, уеблэмэ апхуэдэ щIыкIэкIэ бзэм зиужьу ялъытэ бзэм елэжь щIэныгъэлIхэм. Зы илъэс гуэрым дэ еджапIэм къедгъэблэгъауэ щытащ тхакIуэ Ахъмэт Мухьэдин. Абы а пщыхьэщхьэм къыджиIэжат мы хъыбарыр: «Дэ Тыркум дыщыIэу, хьэщIэщым щIалэ гуэрхэр ныткIэлъыкIуащ, абыхэм къыджаIащ, къакIухьурэ Тыркум адыгэу исыр къызэрабжар. «Ди къуэшхэм яжефIэж мы къэралым адыгэу мелуаниблрэ ныкъуэрэ дызэрисыр», — жаIащ щIалэхэм. Ар Тыркум щыкIуар 1973 гъэрат. Абы лъандэрэ илъэс 40-м нэс дэкIащ, мелуан ныкъуэ нэхъ хэмыхъуауэ пщIыми, ар мелуаний хъуфынущ, дыдейхэри мелуан ны-къуэм щхьэдохри, мелуанийрэ щихрэ щIы, къэрал 50-м исхэр хэбжэжи, Алыхьышхуэм ирещIи, дыхъуну къыщIэкIынщ мелуанипщI. Ауэ, жагъуэ зэрыхъущи, цIыху бжыгъэм сыт и мыхьэнэж, бзэр тIэщIэкIмэ. Сэ хуабжьу сигу ирихьащ МафIэдз Сэрэбий и «Анэдэлъхубзэ» рассказыр. А рассказым хэт Хьэту жриIащ Зырамыку дадэм ди адыгэбзэр гугъуу, пхъашэу, уеблэмэ зыми зэримыпэсыж бзэр дэ къытлъысауэ. Зырамыку дадэм ар хуидакъым: «Адыгэхэр, Хьэту, жьырытэджхэщ, жыджэрхэщ. Сэ си фIэщ хъуркъым ахэр хэжаеу, бзэхэр щагуэшым щыгъуэ нэхъ бзэ гугъур, псоми зэрамыпэсар къалъысауэ. Уеблэмэ, сэ си гугъэмкIэ, псом япэ нэсу бзэхэм хэдагъэнщ. Бзэр зэрыпсалъэ Iэмэпсымэ къудейкъым — ар ди лъэпкъым зэрызихъумэж Iэмалщ. Ар нэгъуэщIхэм тыншу яхузэгъащIэмэ, тыншу къащтэмэ, къыпхэпшэхъуэнущ. Ар хъарзынэщ, фIы ягу илъмэ. Бзаджагъэ къыпкIэлъызэрахьэну щытмэ-щэ? Дэ иджыри къэс лъэпкъыу дызэтезыIыгъар ди бзэмрэ ди хабзэмрэщ. Ди хабзэри хабзэ щIэхъуар ди бзэращ. Къытевгъуатэт мы дунейм нэгъуэщI гуэрхэр, адыгэм хуэдэу жиIэфыну: «Кхъуэхъужьым кхъужьеижьым и лъабжьэр пэбжьэкIэ къретхъу». ЩыIэ апхуэдэ? ЩыIэкъым. ХужыIэми, нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIам ар зэрыжиIэнур бзэмыIуущ: «Кохожам, кожеижым и лабжар пабжача кретх». Ар адыгэбзэ сытми?! Апхуэдэ хамэ цIыхур къэцIыхугъуей сытми? Дыдейхэм, дэ тщыщхэм нэгъуэщIыбзэ зрагъащIэмэ-щэ? Гъэпсалъэ, уэрэд, хамэ уэрэд жегъэIэ. КъахэпцIыхукIынукъым. Сыт щхьэкIэ? Дэ ди бзэгум и зэфIэкIырщ ар зи фIыщIэр. Ар ди Iу кIуэцIым зы плIанэпи, зы дурэши къимыгъанэу доIэбэри, дызыхуей макъхэр къегъэщI…». Ди бзэ дахэр ди щIэблэм яIурытлъхьэжыну анэмэт зыхуащIар дэращ. «Анэмэтым гъейрэт ухуэмыхъу», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. Бзэми хабзэми зыри хэмыщIу щIэблэм еттыжыныр нобэ ди пщэрылъщ, сыту жыпIэмэ си лъэпкъым и анэдэлъхубзэр и щIэблэм уэсяту къыхуигъанэурэ, илъэс мин бжыгъэхэм къыкIуэцIрихащ. Нобэ дэ къытлъыса адыгэбзэм, дауи, ди щIэблэр фIы дыдэу ирипсалъэркъым, шынагъуэ щыIэщ бзэм хэщIыныгъэ игъуэтынкIэ. ЗэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, «Нартхэр» тхылъыр гъуэтыгъуейт, ауэ цIыхухэм ар щIаджыкIырт, зэIэпахыурэ. Нобэ а эпос гъуэзэджэр адыгэ унагъуэ куэдым щIэлъщ, арщхьэкIэ я щIэблэр абы емыджэми, ар зыми фIэIуэхукъым. «Нартхэр» ди щIэблэмкIэ университетщ. ФIы дыдэт ар ди сабийхэм едгъэщIэфтэмэ. Ди адыгэбзэм и IукIэр псэм йохуэбылIэ, гум хохьэ. СфIэгъэщIэгъуэну бзэм ехьэлIа хъыбархэр, усэхэр щIызоджыкI. Сигу къинэжащ Иорданием щыщ тхакIуэ Шупашэ Джаудэт и усэ цIыкIу «Сэ сыадыгэщ» жыхуиIэр. Хуабжьу согъэщIагъуэ Джаудэт адыгэгуу, адыгэпсэу хамэщIым зэрыщагъэсэфар. Сэ сыадыгэщ, Мыр сигущ, Мыр си Iэщ, Мыр си лъэщ, Мыр си псэщ. Си псэр пытыху, Си гур къеуэху, Си лъэр зекIуэху, Сыхуэпсэунущ адыгэм. Ди лъэпкъым и бын гъэсэкIэм куэд хэлъщ. Унагъуэ псоми яIэт хьэщIэщ. ХьэщIэщыр щIэблэм хуэхъурт еджапIэ нэхъыщхьэ. ХьэщIэщ димыIэжми, ноби диIэщ хьэщIэщкIэ уеджэ хъуну пэш щхьэхуэ. Абы урыс псалъэ «зал»-кIэ доджэ. Мы пэшым щIэтщ унагъуэм и унэлъащIэ хьэпшыпхэм я нэхъыфIыр. Мыбдежым щрагъэблагъэ хьэщIэхэр, щрагъэкIуэкI пшыхь зэхуэмыдэхэр: къыщалъхуа махуэхэр, тхьэлъэIухэр, нэгъуэщI-къинэмыщIхэри. АтIэ, девгъэгупсысыт. Тхъумэфауэ пIэрэ ди лъэпкъым и хабзэ дахэхэр? Хъан-Джэрий итхат мыпхуэдэу: «Адыгэхэм я хабзэ псори зытращIыхьыр напэм и къабзагъэращ». Ар икIи пэжщ. Зэманым псори тедмылъхьэу, щхьэж хуэщIэр тщIэуэ дыпсэумэ, дауи, нэхъыфIщ. Псалъэм папщIэ Ширдий Маринэ «Тыркум щыпсэу адыгэхэр» тхылъым щетх: «Думэныщ Iэулэдин, «Кабардинка» ансамблым и художественнэ унафэщIу щытар, Тыркум щыIэщ, «Ашэмэз» къэфакIуэ гуп зэхишауэ ядолажьэ, Iэулэдин къафэм къыдэкIуэу, тхыдэми, бзэми хурегъаджэ ди лъэпкъэгъухэр. ЦIыкIухэм щыщIэдзауэ илъэс 60-м нэс зи ныбжьхэр бзэм, тхыдэм и дерсхэм къокIуалIэ. Нэхъыжь иригъаджэхэм ящыщщ Алътыдокъуэхэ Ата. Абы «Гъуэбжэгъуэщ» псалъэр щригъэтхам, ар зыуэ гуфIэрти: «Е зиунагъуэрэ, къикIри пщIэуэ, икIи къэппсэлъыфу, икIи птхыуэ — абы нэхъ лъапIэ мы дунейм тет?!» — жиIэу сабийм хуэдэу гуфIэрт. Нобэ ди щхьэ Iуэхухэм дыблэплъыкIыфу щытыгъамэ, IутIыж Борис зэрыжиIауэ, къэтлъагъунут мы зэманыр псом хуэмыдэжу дэркIэ зэрышынагъуэр. Борис етх: «Илъэс мин бжыгъэкIэ зэIэпахыурэ фи деж къэса лъэпкъ мафIэр ужьыхыу мы дунеижьым хамэгу-хамащхьэу фыкъытенэнкIэ зэрыхъунур къывгурыIуэрэ? Абы иригузавэ адыгэпсэ бжыгъэншэхэм къабгъэдэкIыу нобэ сыныфщIоджэ, адыгэхэ! Уоу, си лъэпкъ мащIэу гущIэм щызгъафIэ, Зи фIыр зи Iейхэм къысхугуэмых! Зэм хубоIэт уэ си гур мо уафэм. Зэм щIыкъатиблкIэ гугъэр йодзых. Я нэхъ лIы Iущу зызылъытэжхэм Уи кIуэдыжыныр яфIэIэмырщ. Игъуэ нэмысу ущIэзылъхьэжхэм ЯщхьэщыIукIыу вжызоIэ мыр: «Зыхэдвгъалъхьи щымыIэ лIыгъэ ДыкъыщIэвгъэкIхэ зэрамыгугъэу! Зэрамыгугъэу дыкъыщIэвгъэкIхи, Iуэхугъуэ инхэм дащIэвгъэтаджэ! Къахэдвгъэхи дерс ди блэкIахэм, КъэкIуэнум лъэчу дыхэвгъэбакъуэ!» АдыгэбзэкIэ методобъединенэр районым и деж дзыхь къызэрыщысхуащIам и фIыщIэкIэ, сэ си насып къихьащ ди егъэджакIуэ куэдым я дерсхэм сыщIэсыну. Абыхэм я лэжьэкIэм хужысIэфынур зыщ: пщIэ ин хуэфащэщ фи гуащIэм, ди егъэджакIуэ лъапIэхэ. Хасэхэм къабгъэдэкIыу гулъытэ къыфхуезгъэщIыну сыхуейт. Абыхэм яхузэфIэкIынт Къэбэрдейми Адыгейми я адыгэбзэ дерсхэм фыщIагъэсыну, абыхэм къыщыдэкI тхылъхэри зыIэрывгъэхьэну. Зы зэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, Куржы Тамарэ (Черкесск адыгэбзэр щезыгъэджым) къытхузэригъэпэщат къуэш республикэхэм адыгэбзэкIэ щезыгъаджэхэм я зэIущIэ гъуэзэджэ. Ноби сигу ихужкъым къэбэрдей сабийхэм я псэлъэкIэ дыдейм тIэкIу текIыр. Сыту фIыт абы пытщэну! Ди газетищым я журналистхэр зэрызэдэлажьэр щапхъэ ирикъуркъэ? АКЪ Софие, Хьэбэз курыт школым и егъэджакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25324.txt" }
Нобэ Социальнэ захуагъэм и дунейпсо махуэщ 1738 гъэм Урысейм и пащтыхь гуащэ Аннэ (Иван V и пхъум) фадафэхэм ебэныным хуэунэтIа унафэ къыдигъэкIащ. 1940 гъэм Налшык IэфIыкIэ фабрикэ къыщызэIуахащ. Адыгей усакIуэ, драматург Кубэ Билъостэн къызэралъхурэ илъэси 116-рэ мэхъу. Адыгей тхакIуэ Теувэж Хьэбибэ къызэралъхурэ илъэс 82-рэ ирокъу. Композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат ХьэIупэ ДжэбрэIил и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу. Адыгэ Республикэм, КъБР-м щIыхь зиIэ я ар-тисткэ БжэIумых Барисэт къыщалъхуа махуэщ. Генерал-лейтенант, Москва и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Дзыбэ Мусэ и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 — 5, жэщым 0 — 2 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25330.txt" }
ЕгъэджэкIэщIэм фIы кърокIуэ КъБР-м и Парламентым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и комитетым IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр хэту иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ республикэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм федеральнэ къэрал мардэхэр къыщагъэсэбэпу зэрыщIадзам кърикIуэхэм. ЗэIущIэр къыщызэIуихым комитетым и унафэщI Дадэ МуIэед къыхигъэщхьэхукIащ мы Iуэхур 2013 гъэм КъБР-м и Парламентыр зэлэжьынухэм я планым зэрыхэтыр. МардэщIэхэм яубзыху курыт еджапIэхэм илъэсипщI гъунэгъухэм я лэжьыгъэр нэхъыбэу зыхуаунэтIынухэр, а IэнатIэр ахъшэкIэ, IэщIагъэлIхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщынур. Къалэн нэхъыщхьэ дыдэр сабийхэр зэрырагъа-джэр егъэфIэкIуэнырщ. ЗэIущIэм доклад нэхъыщхьэ щищIащ КъБР-м егъэ-джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Наразинэ Валентинэ. Абы зэрыжиIамкIэ, «Ди школыщIэр» лъэпкъ егъэджэныгъэ программэр гъэзэщIэным хиубыдэу иджырей мардэхэм зэрыхуэкIуэну щIыкIэр щиубзыхум, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэ-джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм игъэбел-джылащ апхуэдэ мардэхэр къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэр щагъэунэхуну еджапIэхэр. 2010 — 2011 гъэ еджэгъуэм республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм щыIэ школ 36-рэ а гъэунэхуныгъэм хэтащ икIи япэ классым щIэтIысхьа сабийуэ 1150-рэ мардэщIэхэм тету ирагъэджащ. Мы Iуэхум егъэджакIуэу 56-рэ елэжьащ. Къэпсалъэм зэрыжиIамкIэ, 2012 — 2013 гъэ еджэгъуэм ягъэува мардэщIэхэм тету ирагъаджэу хуежьащ етхуанэ классхэм щIэс сабийуэ 1532-рэ. Министрым и къуэдзэм кIэщIу къигъэлъэгъуащ егъэджэныгъэм и мардэщIэхэр къагъэсэбэпу зэрыщIадзам кърикIуахэр. Апхуэдэу абы къыхигъэщхьэхукIащ лэжьыгъэр тэмэму зэтрагъэувэн папщIэ зыхуеину федеральнэ, щIыналъэ, муниципальнэ хабзэ мардэхэр зэрызэрагъэуIуар, школхэм зэрыщрагъэджэну программэ нэхъыщхьэхэр зэрызэхалъхьар. А псоми къадэкIуэу егъэджэныгъэм и программэ нэхъыщхьэхэр зыгъэзащIэ IуэхущIапIэхэм, зэрырагъаджэ-методикэ Iэмалхэм, пыухыкIауэ мы Iуэхум елэжь егъэджакIуэхэм, дэтхэнэ еджапIэри зыхуеину мылъкумрэ техникэ IэмалхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщам теухуа информацэ Интернетым и сайтым иралъхьащи, абы дэтхэнэ зы цIыхуми щыхуейм деж щыгъуазэ зищIыфынущ. Нэхъ гугъуехьу щыIэхэм ящыщу доклад зыщIам къыхигъэщхьэхукIащ зэреджэну тхылъхэр, программэщIэм тету лэжьэну еджакIуэхэр къазэремэщIэкIыр. Сабий ныкъуэдыкъуэхэр егъэджэным пыщIа Iуэхухэри нэсу убзыхуа хъуакъым. «Ди школыщIэр» лъэпкъ проектым къегъэув, я узыншагъэр зыхуэдэм емылъытауэ, сабий псоми еджэнымкIэ зэхуэдэ Iэмалхэр яIэн хуейуэ. Мы Iуэхум республикэм гулъытэ нэс щыхуащI пэтми, гугъуехь щхьэхуэхэр иджыри щыIэщ», — жиIащ Наразинэ Валентинэ. Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ комитетым хэт Дадэ МуIэед къыщыпса-лъэм къыхигъэщхьэхукIащ школхэм зэрыщрагъаджэ тхылъхэм я фIагъми я куэдагъми нэсу арэзы укъызэримыщIыр. Смирновэ Татьянэ зэIущIэм хэтахэм гу лъаригъэтащ школхэм я библиотекэхэм щIэлъ тхылъхэм я процент 70-м нэблагъэр иджырей зэманым къызэремызэгъыжым. Доклад зыщIам абыхэм ятеухуауэ жиIащ зэкIэ ахъшэр зэрахуримыкъум къыхэкIыу, апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр икIэщIыпIэкIэ ягъэзэкIуэжын зэрахузэфIэмыкIыр. Комитетым хэт Таукеновэ Галинэ щIэупщIащ егъэджэныгъэм и федеральнэ къэрал мардэм щэнхабзэм пыщIа Iуэхухэр къызэрыхэщым. Министрым и къуэдзэм абы и жэуапу къигъэлъэгъуащ сабийхэр тэмэму гъэсэныр федеральнэ мардэхэр зытещIыхьа лъабжьэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр. Урысмамбэт Беллэ, КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25332.txt" }
Пэжымрэ телъыджэмрэ я зэхуакум Ди лъэхъэнэм и нэщэнэ хъуащ цIыху цIыкIум и гъащIэр щыгъупщэжауэ, нэкIи псэкIи зызрит телесериалхэр. Хэт ищIэн абыхэм дыщIыдихьэхыр? Зым и дежкIэ махуэ къэс унэм къеблагъэ артистхэр благъэ пэлъытэ мэхъу; адрейр абыхэм я зэпсэлъэкIэ шэрыуэм дехьэх; ещанэр сытым еплъми едэ, дахагъи теупIи зыхимылъагъуэ езым и гъащIэр щигъэгъупщэмэ. ЩыIэ къыщIэкIынщ псысэм щыщ гуэр гъащIэм хэмытыпIэ имыIэу къэзылъытэхэри. Дауи ирехъуи, сериалым цIыхур етхьэкъу, сабийр джэгуным зэритхьэкъум ещхьу. Сыт хуэдэ-тIэ ди иужьрей тегъэупIэ «мыгъуэлэжыр», нэхъапэми зи гугъу тщIа, Тыркум щыпсэуа адыгэ бзылъхугъэ Шыгъэлыгъуэ Мерал и IэдакъэщIэкI «ЛIэщIыгъуэ телъыджэр» («Великолепный век»)? Фильмымрэ гъащIэмрэ Узерли Мерьем - Хюррем, Ургенч Халит - Сулеймэн Сериалым лъабжьэ хуэхъуар тырку сулътIан Селим Езанэм и къуэ Сулеймэн (1494 — 1566) и тетыгъуэм къэхъуауэ жыхуаIэхэрщ. Селим Езанэр урыс пащтыхь Иван ЕплIанэм и цIэджэгъут: абы фIаща цIэ лей «Явуз»-м урысыбзэкIэ «грозный» жиIэу аращ — адыгэбзэкIэ «щIэпхъаджэ, гущIэгъуншэ, шынагъуэ» мыхьэнэр иIэщ. Селим Езанэрщ иужьрей мамлюк сулътIан Тумэнбей щхьэпылъэ езыгъэщIари, адыгэхэм Мысырым щаIа тетыгъуэм кIэ езытари. «ЛIэщIыгъуэ телъыджэм» лъабжьэ хуэхъуар Селим Езанэм и къуэ Сулеймэн, «Телъыджэ» цIэ лейр зыфIащамрэ абы и унагъуэм щекIуэкIа гъащIэмрэщ. Хэти къыхонэ тхыдэм фIыкIэ е IейкIэ: бзаджэу е щабэу, нэпсейуэ е хьэлэлу, Iущу е щIэныгъэншэу. Дэ къызэднэкIыну «таурыхъыр» зыхуэдэнум дримыгъэгупсысынумэ, мыхьэнэ иIэу пIэрэ апхуэдиз зэман ди Iуэху зыхэмылъ цIыхухэм я блэкIам зэрытедгъэкIуадэм? Тхыдэ утыкур берычэту ялъысу цIыхубэм я гулъытэр зыхьэхуа цIыху цIэрыIуэхэмрэ ахэр пэжу е нэпцIу къэзыгъэлъагъуэ артистхэмрэ уадэплъеину яхуэфащэ? Хьэмэрэ, хэплъыхьышхуи дымыщIу, нэм къыщIаIум зэрызыдедгъэхьэхыр щыуагъэ? «Зыдогъэпсэху!» — жаIэнущ языныкъуэхэм. «Дужэгъуащ!» — къыщIагъунущ адрейхэм. ГурыIуэгъуэщ упщIэхэм еттыну жэуапхэр зэрызэхуэмыдэр. ИтIани ихъуреягъкIэ къыщыхъум теухуауэ еплъыкIэ захуэ гуэр иIэну йоIэ гупсысэн зи хьэл цIыхур. Дэри абыхэм захэдгъэгъуэщэнщ, нэхъыбэ зыщIэри къыддэгуэшэну дыщыгугъыу. Апхуэдэ Сулеймэн дэ тцIыхуркъым! Хюррем-Роксоланэ (1506 - 1558) Теплъэгъуэхэм щIидзэн и пэкIэ ар «тхыдэм и лъабжьэ пэжым зэрытещIыхьар» телевизореплъым къыжраIэ. Абдежым къыщожьэ сериалым къылъыса лъэпощхьэпохэр. «Сулеймэн мазищкIэ шыбгым ист, а фильмым къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу унэм щIэмысу. Мыбы къыщыгъэлъэгъуа Сулеймэныр дэ тцIыхуркъым. Апхуэдэу пщIэ зиIэ цIыхухэм я унэкIуэцI щэхухэр утыку Iуэху щIэпщIын щыIэкъым», — зэлъащIы- сащ Тыркум и премьер-министр Эрдоган Тайип «ЛIэщIыгъуэ телъыджэм» хужиIар. Тхыдэр тхыдэщ, гъащIэр гъащIэщ. Кино еплъым къилъыхъуэр зэштегъэупIэщ: артист лъагъугъуафIэрэ фIым щызыгъэгугъын хъыбар щIэщыгъуэрэ. «Дэ занщIэу жытIащ, — пэджэжащ премьер-министрым Окай Мерал, — мыр тхыдэр лъабжьэ зыхуэхъуа псысэ къудейуэ зэрыщытыр». Дауэ щымытми, сериалыр къэрал 22-м, иныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ — 42-м, къыщагъэлъагъуэ. Илъэс блэкIам щыщIэдзауэ ар щокIуэкI урысыбзэкIэ лажьэ каналхэм языхэзым. Иджыри къэс Индием, Бразилием, Италием, Америкэм гъащIэр зэрыщекIуэкIыр «зэхэдгъэкIамэ», иджы тырку псэукIэми дыхэплъэну Iэмал диIэщ. Роль нэхъыщхьэхэр зыгъэзащIэ актерхэу Узерли Мерьемрэ Ургенч Халитрэ къагъэлъагъуэр Роксоланэ дыдэрэ Сулеймэн дыдэу щремыти, «ЛIэщIыгъуэ телъыджэр» щхьэусыгъуэ мэхъу адыгэхэм я зыIэтыгъуэу Мысыр къэралыгъуэмрэ я гухэщIыгъуэу Кавказ зауэм и лъэхъэнэмрэ утыку ита тырку сулътIанхэм я блэкIам зы нэху ятредгъэдзэну. ГъукIэ Iэзэщ, усэ етх Сулеймэн (1494 - 1566) Сулеймэн унафэ щIыныр Iуэху дахэкIэ щIидзауэ къаIуэтэж: абы щэ бжыгъэм нэблагъэ гъэрхэр Мысыр хьэпсхэм къриутIыпщыкIыжат. Венецием и лIыкIуэ Контарини Бартоломео, Сулеймэн тахътэр къылъысу тхьэмахуэ зыбжанэ дэкIа нэужь, етх: «Ар илъэс тIощIрэ тхурэ мэхъу, лъагэщ, зыIэщIэлъщ, лъагъугъуафIэщ. ПащIэрэ жьакIэ тIэкIурэ тетщ. Абы емылъытауэ IуплъэгъуафIэщ, ауэ егъэлеяуэ сырыхухэм ящыщщ. Псоми яфIэIущщ, еджэн фIэфIу жаIэ, унафэ хузехьэну щогугъхэр». СулътIаным къыкIэрыпщIахэм ящыщщ «Кануни» цIэ лейри: «хабзэм захуагъэкIэ тет» мыхьэнэм пэгъунэгъуу. ЗэрыжаIэжымкIэ, нобэми яхуэмыгъэкIуэдыж «коррупцэм» ерыщу ебэным къыщымынэу, а лъэныкъуэмкIэ зи мурад лъэIэсыфхэм ящыщт Сулеймэн. СулътIан щIалэм гъуазджэхэмрэ щэнхабзэмрэ и щIасэт: сурэтыщIхэм, усакIуэхэм, тхакIуэхэм я къыщхьэщыжакIуэт. «Сулеймание» цIэр нобэми зэрехьэ абы иригъэщIа мэжджытышхуэм. СулътIаным Iэзагъ гъэщIэгъуэнхэр бгъэдэлът: ар гъукIэ Iэзэу, дыщэкI IэщIагъэми хуэмыхейуэ щытауэ жаIэж. Къэзылъытэ щыIэщ сулътIаныр цIыху зэкIуэцIылъу, дэзыхьэхын тхылъ иIэмэ, зыхуэмеижIауэ щытауи. Дауи ирехъуи, а лъэныкъуэмкIэщ абы Роксоланэ игу къызэрыдыхьар. Хюррем нэхърэ нэхъ дахэуи нэхъ щIалэуи сэрейм цIыхубз щIэз пэтми, сулътIаныр гурыщIэ къабзэ лъыхъуэ романтикхэм ящыщт, усэбзэкIэ и гурылъ къиIуэтэфу зэрыщытами ар къегъэлъагъуэ. Тыркум хыхьэ щIыналъэ пхыдзаищым я унафэщIу щытыху, къэрал Iуэхухэм щыгъуазэ зэрыхъуам къыхэкIыу, щIэныгъэри лэжьыгъэри зыгъэунэхуа сулътIаныр унафэщI щыпкъэ хъупхъэу ябжырт. А псом ищIыIужкIэ, Сулеймэн гурэ псэкIэ диныр фIэкъабылт, «Iиман зиIэхэм я пашэ» цIэ лейми игу хигъахъуэрт. Абы и тетыгъуэм и кIуэцIкIэ Тырку щIыналъэр тIукIэ бэгъуащ. ЩIыпIэщIэ къэзэун мурадкIэ ар зекIуэ 13-м хэтащ: Сулеймэн и лъэхъэнэм Тыркур лъэIэсащ Венгрием, Родос, Венецием, Белград, Австрием, Чехием, Герцеговинэм, н. къ. Хюррем-Роксоланэ Сулеймэн и усэ тхылъыр (1529 - 1530) «Роксоланэ» цIэр КъуэкIыпIэм щыщ цIыхухэр славянхэм зэреджэ цIэ зэдайщ, цIэ лей хъужауэ. А цIэр зезыхьа Лисовская Анастасие языныкъуэ тхыдэджхэм украин щылъхуу, адрейхэм — лыхьу (поляк), нэхъ мащIэм — урысу е франджыуэ щытауэ къаIуатэ. СулътIан гуащэр икъукIэ цIыхубз цIэрыIуэти, езым и лъэхъэнэми къыкIэлъыкIуэ зэманми сурэтыщIхэми, тхакIуэхэми, усакIуэми къагъэлъэгъуэну яфIэфIт. УрысыбзэкIэ мы бзылъхугъэм теухуауэ щыIэ тхыгъэхэм ящыщу нэхъ Iуар Загребельный Павел итха «Роксолана» тхылъырщ. Литературэ и лъэныкъуэкIэ ар «тхыдэ роман» жыпхъэм итщ, ауэ нэрылъагъущ украин тхакIуэр и лъэпкъэгъу бзылъхугъэр зыхэт псоми ефIэкIыу, фэкIэ зигъэмуслъымэнми, игукIэ чыристан къабзэу, лей щызэрихьэкIэ нэгъуэщI хэкIыпIэ имыIэу, и бзаджагъэр — Iущагъыу, и ерууагъыр — губзыгъагъэу къигъэлъэгъуэну зэрыхэтыр. Ар ещхьщ, псалъэм папщIэ, Гуащэнэ Марие урысхэм пащтыхь гуащэ залыму ягу къинэжами, адыгэхэм я IэдакъэщIэкIхэм ар захуагъэм и дамыгъэу къызэрыхэщым. А бгъэдыхьэкIэм губгъэн къилэжьуи пхужыIэнукъым: щIыналъэм хэкулI-хэкупсэхэр игъэсэну щыхуейм и деж, апхуэдэ тхыгъэхэр сэбэп мэхъу, лIыхъужьыгъэр зыIэт уэрэдхэм хуэдэу. ИтIани, пцIыр сыт хуэдизкIэ мыдахэми, цIыху акъылым пэжым дзыхь нэхъ хуищIу къигъэщIащ. Тхыдэджхэм я нэхъыбэр зэакъылэгъущ Хюррем («ГуфIэрей») Сулеймэн гу къылъитэн хуэдизу лъагъугъуафIэу, къэрал Iуэхум хигъэIэбэн хуэдэу акъылыфIэрэ щIэныгъэ бгъэдэлъу, сулътIаным пэгъунэгъу цIыхубзхэм ятекIуэфын хуэдизу Iущу зэрыщытамкIэ. А псом къадэкIуэуи — щхьэгъусэм ебзэджэкIрэ зыхуейр зыIэригъэхьэфу, унафэ щIыным хуэпабгъэу, тахътэм и лъагапIэр и бынхэм къалъигъэсын папщIэ, Iэмал зэхэдз имыIэрэ гущIэгъур и гум къепэщэщ гурыщIэхэм ящыщу щымытауэ. Лисовская Анастасие РогатинкIэ зэджэ Украин къуажэм 1506 гъэм къыщалъхуащ. 1522 гъэращ зыхуэзэр ар сулътIаным и цIыхуубыдхэм щаIэрыхьар. СулътIан хьэрэмым уашэныр гъэр ящIа бзылъхугъэм дежкIэ пщIэт… нэгъуэщI кIуапIэ уимыIэмэ. «ГурыфIыгъуэм и бжэ» зыфIаща Топкапы унэшхуэм щIэс бзылъхугъэхэр къафэу, уэрэд жаIэу, макъкIэ усэ къеджэфу икIи ятхыфу ирагъасэрт. Роксоланэ езым и лъэхъэнэм псэуа бзылъхугъэхэм щIэныгъэкIэ къахэщу щытауэ ябж. Ар хамэ къэрал лIыкIуэхэм я бзэкIэ епсэлъэфырт, пащтыхьхэм я тхыгъэхэм жэуап яритыжырт, дихьэхыу бзэ зыбжанэкIэ тхылъ еджэрт. СулътIаныр фIыкIэ къэзыгъэуIэбжьахэм ящыщт япэу сыт узыщIэлъэIур жиIэу щеупщIым, Хюррем сулътIаным и тхылъ хъумапIэм щIагъэхьэн фIэкIа нэгъуэщI хъуэпсапIэ зэримыIар. Дахагъэмрэ хьилагъэмрэ Роксоланэ и телъхьэхэм зэрыжаIэмкIэ, Сулеймэн и гъащIэм зэ плъыжь хъуауэ арат — сулътIан гуащэ хъуну Хюррем япэу щыIуплъам. Ар зи фIэщ мыхъухэм цIыхубзым дахагърэ хьилагърэ екIуу зэхэухуэнауэ бгъэдэлъауэ къалъытэ. Дахагъэр хьилагъым екIурэ пхужыIэнущ. Iуэхур хуитыныгъэм теухуамэ, Iэмал зэхэдз щыIэжкъым — аращ Хюррем и образыр — тхылъкIи кинокIи — къэзыгупсысахэм зэрызаухеиж Iэмалыр. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр «ЛIэщIыгъуэ телъыджэм» муслъымэн хабзэхэр тепщэу щыщымыт къэралхэм я телевизореплъхэри — цIыхубзхэм я деж къыщымынэу, цIыхухъухэри — зэрыдихьэхырщ. Тхылъеджэм е телевизореплъым хъыбар гуэр гупсысэкIэ «щизым» и деж, лIыхъужь нэхъыщхьэм и пIэ иту зелъагъуж. А лъэныкъуэмкIэ Роксоланэ япэ щIыкIэ гъэр ящIа хъыджэбзу, иужькIэ — щхьэгъусэ едапщанэ гуэру щытми, ар фIыуэ ялъагъу закъуэщ. Армырауэ пIэрэ хьэрэмым щекIуэкI гъащIэ зэгъэдзэкIар нобэрей псэукIэм зыгуэркIэ ещхьу къызыфIигъэщIу, фильмым еплъым илъагъур игу щIытригъэхуэфыр? Чыристан щоджэным ипхъу Дауэ-тIэ хамэ щIыпIэ къыщыхута чыристан дин лэжьакIуэм и пхъум зэхэтыкIэкIи, псэукIэкIи, щызекIуэ хабзэкIи, бзэкIи, динкIи имынэIуасэ къэралым и кIуэцIым КъуэкIыпIэм и тепщэ сулътIаным и гулъытэр щызришэлIа зэрыхъуар? Илъэс пщыкIутхум ит хъыджэбз цIыкIум щIалагъи, дахагъи, къабзагъи хурикъуу уощIри, дунейм и дэнэ лъэныкъуэкIи бзылъхугъэхэр тыгъэу къызыхураш сулътIаным апхуэдэхэр имыгъуэт хъугъуэфIыгъуэтэкъым. ЗэрыжаIэмкIи, Хюррем псэм зэрыфIэIэфIыр нэхъыбэт, нэм зэрыфIэдахэм нэхърэ. Тхыдэ лэжьыгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, Сулеймэнрэ Хюрремрэ зыр адрейм фIэхьэлэмэтын хуэдизу зэщхьхэт. ЦIыху укIыныр унафэ щIыкIэ Iэмалхэм хэмытамэ, литературэмрэ гъуазджэмрэ тIуми къыхана щапхъэхэм уагъэлъагъу сулътIанри гуащэри IэдакъэщIэкIкIэ удэзыхьэх усакIуэ Iэзэхэу зэрыщытар. ЛIэщIыгъуэхэм къапхыкIри тхыдэм къыхэнащ зекIуэ щыIэ и щхьэгъусэм Хюррем хуигъэхьа и письмохэмрэ усэхэмрэ. Хюррем — Сулеймэн хуетх «Мазэ бжыгъэ хъуауэ си сулътIаным зы хъыбари къригъэхьыркъым. Си нэм и нэхур сымылъагъурэ жэщи махуи нэпс щIэзгъэкIыурэ дунейр зэв сщыхъуащ. Сыт си Iэмал? УкъызэрыщIыхьэжыну бжэм фIэкIа си нэр зыми тезэгъэжыркъым». Хюррем и жагъуэгъухэм жаIэм тепщIыхьмэ, гуащэм Сулеймэн Iэзэу къыдихьэх, абы кърагъэкIыр — къигъапцIэ фIэкIа, гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъуу щытакъым. Мыр шэч къызытепхьэ хъуну хуэгъэфэщэныгъэхэм ящыщщ. Бзылъхугъэм къыщIэна сатырхэм уахэплъэмэ, IупщIщ абы къалэмыр щыIэщIэлъым зэпсалъэр къигъапцIэуи езым зыкъигъэпцIэжуи зэрыщымытар. «Уи лъэщагъым уи нэр къыщригъэпхъуауэ, си гум гужьгъэжь щыбгъэкIам гу лъыптэркъым»,- зыхуегъазэ Хюррем сулътIаным. «ФIыуэ узолъагъу, услъагъуи хъуркъым — сщIэркъым ар къызэрыхъур, ауэ жысIэр пэжщи, си псэм гузэвэгъуэр текIыркъым» жызыIа урым усакIуэ цIэрыIуэ Катулл уигу къегъэкIыж зэ IуплъэгъуэкIэ зэтемызагъэу къыпфIэщI гурыщIэхэр къигъэлъэгъуэным тегушхуэфу щыта Хюррем. Абы нейуэ къеплъхэм зы хьэл дахи къыхуагъэнэжыркъым, и щIэныгъэ нэгъунэ и нэпсеягъэм тригъэлэжьауэ къалъытэри. Апхуэдэу убжын щхьэкIэ, езы сулътIаныр псэ зыIумыт хьэпшып гуэру къэплъытэн хуейщ. Зэщхьэгъусэхэр фIыуэ зэрылъагъурт. Пэжщ, абы къыхэзэрыхьырт мелыIычу щымыт цIыху къэс и хьэлым къыздихь нэщхъеягъуэ Iэджи, ауэ Сулеймэнрэ Хюрремрэ яфI къэзгъэлъэгъуэнщ жызыIэм, гурыщIэ къабзэ — дахэрэ хьэлэлу — зым адрейм зэрызыхригъэщIар къримыдзэу хъунукъым. СулътIаным и хъуреягъкIэ щыплъагъу бзылъхугъэхэм теплъэкIи ныбжькIи къыпеуэфын яхэтами, тхыдэм и кхъузанэм къелар Хюррем и закъуэщ. Хюррем — Сулеймэн хуетх Си гужьеигъуэ, дэни нэс си бий! ЩхъухькIэ гъэнщIауэ пIэрэ уи псэ Iэлыр? ШейтIанми Тхьэми сщIэркъым уи уэлийр — Гукъуэпсу сиIэр сыт щIызэпылъэлъыр? Уэ ушынагъуэщ, уи къарур мыкIуэщIщ, Сыщыпхуэзэши ущыгущыкIыгъуи — Дапщэщи дэни, си нэр пкIэлъыщыгъуэу, Блэм къищэкIуа псэущхьэу сыпIэщIэлъщ. Уи плъэкIэм и архъуанэм сыщIелъафэ, Зы псалъи, зы бэуэгъуи сымыбзыщI. Си гухэлъ щэхуу сыкъэзыгъэщIам имыщIэ Уэ, сэ сщыгъупщэжауэ, пщIэм хуэдиз. Къару абрагъуэм уигъэщхьэрыуауэ, Гу лъыптэркъым гужьгъэжьу пхуэзгъэкIам ЦыхуукI! Лейзехьэ! Хабзэхъумэ гуауэ! Хэт хуейр хьэрэму щIыхь къызэтептхъуам?! Уи зауэлI гупым бэрэбанэ макъкIэ Дунейр Iыхьэ мыгуэшу къахуэнащ. Уэ зырщ псэуну хуитыр, хуиту бауэу! Си уси, си гуи, си Тхьи уи ауанщ! Си псэу си бий! Уэрыншэу сыпсэуфкъым! Гъуэгум и нэзхэр тхъуащ укъамылъагъуу, КIыфIщ уафэр, уэ и лъабжьэм ущIэмытмэ, Дэгу хъунущ жэщхэр, ущызэхэзмыхмэ, ЗыщызгъэпщкIунут пшэми — жьышхуэ къопщэ. Роксоланэ тхэфым и мызакъуэу, мастэнэкIи Iэзэт. Къэжэр шахым и щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ абы письмохэр къыхуатхырт. Пащтыхьыкъуэ Елмэс Мырзэ Тыркум зыщыщигъэпщкIуам щыгъуэ, Хюррем езым и IэкIэ данэм къыхэщIыкIа джанэрэ къэпталрэ щIалэм хуидри хуригъэхьауэ щытащ, и къуэхэм зэрахуигъадэр зыхригъэщIэну. Тырку мелуани 3,5-рэ зытекIуэда «ЛIэщIыгъуэ телъыджэм» къыхощ сулътIаным и бжаблэм ита цIыхухэм я зыхуэпэкIэр. Тхыдэми къыхэнэжащ Роксоланэ щыгъын къыхэхыкIэрэ зыхуэпэкIэрэ ищIэу зэрыщытар: абы къригъажьэр хабзэ хъурти, дэрбзэрхэм я IэщIагъэми зригъэужьырт. Топкапы сэрейм щIэсу ар къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэм нэхъ IупщIу къыхощ сулътIан гуащэм и теплъэри и хьэлри. Гуащэм и дамыгъэ хъуащ мазэ ныкъуэм хуэдэу щIа тхьэгъухэр, и Iэпкълъэпкъыр гуакIуэу щIэзыхъумэ бостей быхъухэр, мывэ лъапIэкIэ гъэщIэрэщIа и щхьэтепхъуэхэр. Тахътэм хуэкIуэ гъуэгур Роксоланэ пащтыхь гуащэу илъэс плIыщIым щIигъукIэ щытащ. Тырку сулътIанхэм деж щызекIуэ хабзэмкIэ тахътэр щIэину зылъысыр къуэ нэхъыжьырт. Ауэ япэ щхьэгъусэу щымыт Хюррем и бынхэм а насыпыр къалъысын папщIэ, Сулеймэн и адыгэ гуащэ Махидевран, Гюльбахар цIэмкIэ тхыдэм къыхэнам, и къуэ Мустэфа зэран хъурт. Тхыдэ хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, щIалэр теплъэкIи акъылкIи унафэр зыхуэгъэкъаруун гуэрт, цIыхухэми фIыуэ ялъагъурт… Хюррем мыхъуамэ. КъуиплIрэ зыпхъурэ зиIэ гуащэм и щIалэхэм языхэз тахътэм темытIысхьэмэ, езыми и пщэдейрей махуэр тIасхъэ хъунут. Абы къыхэкIыу, Сулеймэн и бын сэрейм щыпсэухэм нэмыщI, Роксоланэ къригъэгъуэту иригъэукIауэ жаIэ сулътIаным гъэр хуэхъуа бзылъхугъэхэм къалъхуауэ, унафэр яубыдын гукъыдэж зиIэнкIэ хъуну щIалэ плIыщIым нэс. Езым и бынхэм ящыщу тахътэр зылъысар иужькIэ тхыдэм Селим ЕтIуанэ цIэмкIэ къыхэнэжа и къуэ нэхъыжьырщ. Селим ЕтIуанэм адыгэхэм я тхыдэм куэдрэ ущрохьэлIэ. Аращ муслъымэн тетыгъуэр зыIыгъар адыгэхэм я Iэпхъуэжыгъуэм. Апхуэдэу щытми, дзы зыфIащ пащтыхь псоми хуэдэу, Селим ЕтIуанэри тхыдэм къыхэнащ «Ефэрей» цIэ леймкIэ, фадэр и нэрыгъыу зэрыщытам къыхэкIыу. Тхыдэджхэм я нэхъыбэм Хюррем тралъхьэ Ибрэхьим-пэщэ — Сулеймэн и япэ уэзиру щытар — къэралым и епцIыжакIуэу сулътIаным и фIэщ ящIу зэрырагъэтхьэлар. Щхьэусыгъуэу къэплъытэ хъунур уэзирыр, Сулеймэн Хюррем и гукъыдэжхэм хуэдэгу ищIу, сулътIаным ныбжьэгъу пэжу, чэнджэщэгъуу зэриIэрт. Абы и пIэ къиува Рустем-пэщэм Роксоланэрэ Сулеймэнрэ япхъу закъуэ Михримах иратащ. Малъхъэ жыIэщIэр илъэс куэдкIэ гуащэм и дэIэпыкъуэгъуу щытащ. Ауэ Рустеми зы «щыщIэныгъэ» иIэт — ар Сулеймэн и къуэ пажэ Мустэфа зи гугъу тщIам, тахътэр зылъысыну нэхъ зыхуэфащэм, и ныбжьэгъут. Пхъур щыхьэт нэпцIу къагъэувурэ, Сулеймэн и фIэщ ящIащ Мустэфа адэм епцIыжауэ тахътэм хуэпабгъэу. Апхуэдэу Роксоланэ Рустеми Мустэфаи езым и къуэхэр тахътэм хуэзышэ гъуэгум тригъэкъэбзыкIащ. ЗэрагъэхъыбарымкIэ, и къуэр шылэ кIапсэкIэ ятхьэла нэужь, Гюльбахар и акъылыр фIэкIуэдри, куэд дэмыкIыу дунейм ехыжащ. МазитI фIэкIа псэужакъым гуащэм зэрихьэ лейхэр и къуэм езыгъэлъагъуну хэта Хафсэ — Сулеймэн и анэри. ГъащIэ мащIэу къыщIэкIащ езы Роксоланэ и къуэ нэхъыщIитI Баязытрэ Мехметрэ, ещанэ Джахангирыр нэхъ пасэу дунейм ехыжат. Лъагъуныгъэмрэ усыгъэмрэ Варшавэ дэт библиотекэм «Диван де Мухибби» фIэщыгъэм щIэту 1529 — 1530 гъэхэм къыдэкIа тхылъ щIэлъщ. Абы Сулеймэн и усэхэр итщ. Тхылъыр «насталик»-кIэ зэджэ хьэрып хьэрфхэмкIэ тхащ, и напэкIуэцIхэр дыщэ-дыжьын сабэ налъэ цIыкIухэмкIэ гъэщIэрэщIащ, езыр напи 100 мэхъу. Тхылъ къыдэзыгъэкIхэм къызэралъытэмкIэ, ар зэрызэтеда щIыкIэри Iэзагъышхуэ къызыхэщ лэжьыгъэщ. И жинтыр морэкIэ иIа шкIафэм къыхэщIыкIащ, дыщэ гъущIIунэ цIыкIуи хэгъэтIысхьэжащ. Сулеймэн гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ къэралым и зыужьыныгъэм сэбэп хуэхъуу къилъытэрт, усакIуэхэм, сурэтыщIхэм улахуэрэ тыгъэрэ яхухихыурэ жумарту етэрт. Усэ зэхалъхьэфу щытащ Роксоланэрэ Сулеймэнрэ я бынхэу Мехмети Баязыти. IэщIагъэр я хамэтэкъым Селим Езанэми, абы и бын Сулеймэн и къуэшхэми. Нэхъ усакIуэ Iэзэхэм хабжэ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Селим ЕтIуанэр. Езы Сулеймэн и усэхэм лъагъуныгъэкIэ гъэнщIа Хюррем хуэгъэза сатырхэм къадэкIуэу, гупсысэ куухэми уащрохьэлIэ. Сулеймэн — Хюррем хуетх НапIэр къэпIэтмэ, плъагъунут гугъу уемыхьу, Уэ си гум узэрилъым и кууагъыр, АрщхьэкIэ уи нэр къыстемызэгъэж. Уэрэдым я нэхъ дахэр схузэхэлъхьэм, ЗэкIэлъыпыту мазэ щэрэ минкIэ УезгъэдэIуэнт бзу макъхэм я нэхъ IэфIкIэ. Зэпэжыжьэным гу къысхуигъэнэжкъым, Гугъэм и мафIэм хэт къригъэлыну Мы си псэу хьэршым лъэтэжын хьэзырыр? МэчэмкIэ малъхъэдису щыIэр маплъэ, Уэ сыноплъынут, гущэ, узгъуэтыжтэм! Сыт апхуэдизу си гур хэзыгъэщIыр? СынызэрыпщIэхъуэпсу схуэмыIуатэм СыплъэмыIэсыжыфу силIыкIыну Е мы си нэпсхэр хуэму уэс хъужыну? Зэщхьэгъусэхэм я усэхэм укъыщеджэкIэ нэрылъагъу мэхъу тIури цIыху къызэрыкIуэу зэрыщымытар. Я тхыгъэхэм къыхыхьэ макъамэхэри махуэ къэс узрихьэлIэ гурыщIэ чэнжхэм ящыщкъым. ЦIыхушхуэхэм ятеухуа псалъэмакъыр сыт щыгъуи егъэлеящ. «КъызэрыщIэкIымкIэ, ахэр цIэрыIуэ щхьэкIэ цIыхуфIтэкъым!» — аращ гур япэу зыхуэжэ гупсысэр. Абы къыкIэрычын хуейкъым абы мыхьэнэкIэ къыпэщIэуэ пэжри: «Ахэри цIыхут!» «ЛIэщIыгъуэ телъыджэм» къригъэбла ди уэршэрыр духынщ Сулеймэн Телъыджэр нэхъыфIу къыдэзыгъэцIыху и сатырхэмкIэ: Мылъку гуэр пIэщIэлърэ тахътэр уи лъабжьэм щIэтмэ, Насыпым и курыхым ухалъагъуэ. Си хъарзыналъэхэр щыхьэту согъэуври, Сыт хуэдэ уасэ гъатхэр къызыщIэкIыр? ЛIыгъэу къытфIэщI хахуагъэмрэ къарумрэ УакIэлъоплъыжри, е зауэщ, е хьэдагъэщ. Игъахъуэ уи гум фIэщхъуныгъэр изу — Тхьэшхуэм и закъуэщ фIылъагъукIэ зыщIэр. Къумым илъ пшахъуэм ныбжькIэ ущхьэдэхми, БлэкIам узышэжыну гъуэгу щымыIэ. ТхьэлъэIум я нэхъ къабзэр гукIэ пщIэми, Зы махуэ закъуи гъащIэм къыпимыщэ. Сэ къыхэсхар факъырэхэм я лъагъуэрщ — А зырщ гупсысэм тыгъэу къыбгъэдэкIыр. Насыпрэ псэхугъуэрэ къэплъыхъуэм, Ехужьэ аддэ уигу хэзыгъэщI псори. Чэрим Марянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25337.txt" }
Тыркум щтапIэ ихьэжа ди лъэпкъэгъухэр миным щIигъуащ ИлъэситI хъуауэ Сирием щекIуэкI зауэм хэкIуэдахэм я бжыгъэр мин блыщIым нэблэгъащ. Зи хэкум щамыгъэзагъэу щтапIэ къэзылъыхъуэ мин щихым хэгъуэгу- хэгъуэгукIэ я щхьэ къыщрахьэкI. Абыхэм ящыщу Тыркум Iэпхъуахэм я бжыгъэр мини 162-м щIигъуащ, ахэр вилайет щхьэхуэхэм щаухуа шэтыр къалэхэм щопсэу. ЕкIуэлIапIэншэхэм къэралыгъуэм махуэ къэс мылъкурэ ерыскъыкIэ закъыщIегъакъуэ. Псапэ зыпылъ Iуэхухэм ящыщ зыщ Бингол къалэм щылажьэ «ЩIэныгъэ, гупсысэ хасэм» («Билги ве дюшендже дернеги») Сирием къикIахэм папщIэ щэбэт кIуам ищIар. «Бингол олай» газетым къызэритамкIэ, зи гугъу тщIа хасэм къыбгъэдэкIыу лей къызытехьахэм ерыскъы тонн тIощIрэ щырэ хурагъэшащ. Хасэм и тхьэмадэ Илмаз Мустэфа къыхегъэщ: «Сирие зауэр зэрыщIидзэрэ гъатхэпэ мазэм илъэситI ирокъу. Зауэм и зэранкIэ цIыху мелуанитIым унэ ямыIэжу къэнащ. Дэ нэхъ ипэIуэу дохутырхэр яхуэдгъэкIуат, хущхъуи яхуедгъэшат абыхэм, иджы мы ерыскъыр идогъашэ». Сирием къикIыу Тыркум къэкIуахэм адыгэхэри яхэтщ. Тыркум щылажьэ Адыгэ Хасэхэм ялъэкI къагъанэркъым, къудамэ куэдым къыщызэрагъэпэща фондхэр къагъэсэбэпу, абыхэм зыщIагъэкъуэнымкIэ. Адыгэхэр шэтырхэм щIамыгъэсу хьэщIэу ирагъэблагъэ. «Къалэшхуэхэм щыпсэу адыгэхэм я къуажэ унэхэр нэщIу щытщ, зейхэр гъэмахуэм фIэкIа емыкIуэлIэжу, — жеIэ Сарайджыкъ къуажэм и Iэтащхьэ ХьэкIэщ (Илмаз) Рафикъ. — Бысымхэр арэзыуэ а унэхэм щIыдогъэтIысхьэ нобэкIэ псэупIэ зимыIэ ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ». Языныкъуэхэр я хэкужь КавказымкIэ мэкIуэж, ар зыхузэфIэмыкIхэр Тыркум къонэ. Дэтхэнэ зы унагъуэми, езыхэм нэхъ къызэращтэм елъытауэ, къэралым щылажьэ адыгэ хасэхэри цIыху щхьэхуэхэри жыджэру къадоIэпыкъу. Абыхэм я дэфтэр зэгъэпэщыныр, зыщIэсыну унэхэр, хьэщIэщхэр къахуэгъуэтыныр, билет къахуэщэхуныр зи пщэрылъ Сымыт Иса зэрыжиIэмкIэ, Тыркум къэкIуа сирие адыгэхэм я бжыгъэр миным щхьэдэхащ. Емуз Баязыт. «Хуитыныгъэ» радио. Тырку Республикэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25344.txt" }
Сирием щыпсэу адыгэхэр дэ тщымыщуи? Псори зыгъэпIейтей кавказ политикэмрэ гуащIэу зэрызэдауэ «шэрджэс Iуэхумрэ» темыпсэлъыхь щыIэжкъым. Абыхэм ящыщ зы псалъэмакъ хъуащ Сирием бэлыхь щыхэхуа ди лъэпкъэгъухэр хэкум къэшэжыным щIэлъэIуу жэрдэмщIакIуэ гупым унафэщIхэм хуагъэхьа тхыгъэм и жэуапу УФ-м ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и министерствэм Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и департаментым и Iэтащхьэ Журавский Александр къитхыжар. Адыгейм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Бэгъущэ Iэдэм и лъэIу тхыгъэм, Сирием щыпсэу адыгэхэр Урысей Федерацэм къэшэжыным теухуам, Журавскэм кърит жэуапым къыщыхьащ «Хамэ къэралхэм щыпсэу и хэкуэгъухэм ехьэлIауэ Урысей Федерацэм иригъэкIуэкI къэрал политикэм теухуауэ» 99-нэ Федеральнэ законым щыщ псалъэхэр: «Хамэ къэрал щыпсэухэм ящыщу ди хэкуэгъуу къэлъытапхъэр «Урысей Федерацэм и щIыбкIэ щыпсэууэ, ауэ УФ-м и щIыналъэм ис лъэпкъхэм ящыщхэмрэ абыхэм я щIэблэмрэщ, апхуэдэуи зи Iыхьлыхэр нэхъапэм Урысей Федерацэм щыпсэуа, езыхэм я жэрдэмкIэ псэкупсэ, щэнхабзэ, хабзэ я лъэныкъуэкIэ Урысей Федерацэм къепха цIыхухэрщ». Зэ еплъыгъуэкIэ псори пэжщ, ауэ нэхъ гъэщIэгъуэн къыщыхъур адэкIэщ… КъызэрыщIэкIымкIэ, Журавскэм къызэрилъытэмкIэ, Сирием щыхэхэс адыгэхэр «Кавказ зауэр (1817 — 1864 гъ.гъ.) иуха нэужь, езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ щIыналъэм икIауэ аращ» (!). «Аращи, — къыпещэ адэкIэ къулыкъущIэм, — иджырей сирие адыгэхэм я адэжьхэр 1864 гъэм Уэсмэн пащтыхьыгъуэм мыIэпхъуэ щIыкIэ зэрыса щIыналъэхэр Урысей къэралыгъуэм хиубыдэу щытакъым, абы къыхэкIкIэ, 1-нэ Федеральнэ законым и 3-нэ статьям ипкъ иткIэ, ахэр Урысей къэралыгъуэм щыщу (икIауэ) къэплъытэ хъунукъым». Журавский Александр и тхыгъэм и кIэухым къыщехь Сирием щыпсэу адыгэхэм «хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэр» псалъэхэм къарыкIыр епхьэлIэ мыхъуну, икIи а Iуэхур зэхагъэкIыну Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм и пщэ делъхьэ. Тхыгъэм дызригъэгупсысахэр: 1. Псори зыгъэпIейтейуэ иджыпсту къекIуэкI кавказ политикэмрэ гуащIэу зытепсэлъыхь «шэрджэс Iуэхумрэ» къэзыгъэхъейр къулыкъущIэ шэнтым ису мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм хэпсэлъыхь, Кавминводхэм къыфIэмыкI, щIыналъэ IэщIагъэлIхэм я еплъыкIэр къэзымылъытэ, Iуэхум хэзымыщIыкIхэрщ. Нэрылъагъущ, мы тхыгъэр Журавскэм хуэзыгъэхьэзыра лэжьакIуэхэм зи гугъу ящIым зыри зэрыхамыщIыкIым и щIыIужкIэ, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыпсэу адыгэхэм я хэкуэгъум хуагъадэу куэд щIауэ ФМС-ри, МИД-ри, Россотрудничествэри зэрадэлажьэр зэрамыщIэр. 2. «Хэт хъуну Журавскэр?» — жысIэу Интернетым ислъхьа си упщIэм и жэуапу къыщIигъэщащ ар Къэзан авиацэ институтым аэродинамикэ, термодинамикэ IэщIагъэм зэрыщыхуеджар, Православнэ Свято-Тихоновскэ Богословскэ институтым щIэныгъэ зэрыщызригъэгъуэтар. Тхыдэ щIэныгъэхэм, богословиемкIэ щIэныгъэхэм я кандидатщ къулыкъущIэр. Журавскэм и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр зытеухуауэ щытахэр къысхуэгъуэтакъым, ауэ нэрылъагъущ ар кавказ Iуэхухэрауэ зэрыщымытыр. Абы къыхэкIкIэ, Журавскэм гу лъезгъэтэну сыхуейт авиацэ институтыр къэзыухахэр зэджапхъэ тхылъхэр зыхуэдэм. Ар нэхъ къыхуэсэбэпынут, зытепсэлъыхь Iуэху гугъур зэфIэхынымкIэ жэуап ихьа нэхърэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, урыс тхыдэм, Потто, Милютин, Барятинский, Евдокимов, Эсадзе, Фадеев, Берже, Дубровин, Люлье хуэдэхэм я тхыгъэхэм къыхощыж шэрджэсхэр езыхэр хуейуэ хэкум зэримыкIар. Еджамэ хъунут архивым хэлъ фондым, том 12 хъу Кавказ археографие комиссэм и актхэм, «Кавказ и Российская империя: проекты, идеи, иллюзии и реальность» (СПб, 2005), «Трагические последствия Кавказской войны для адыгов» (Нальчик, 2000) щыщ тхыгъэхэмрэ дэфтэрхэмрэ. Журавскэр емыджэми хъунущ а тхыгъэхэм, зы гъыбзэ закъуэ нэхъ мыхъуми — Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм яуса нэхъ гъыбзэ гукъутэхэм ящыщ «ИстамбылакIуэм» — едэIуамэ, псори къыгурыIуэнут. ПщIэ зыхуэсщI Журавский Александр, езыхэм яфIэфIу зи хэку зыбгынэ цIыхухэм апхуэдэ гъыбзэ зэхалъхьэркъым! 3. Хъарзынэ хъуащ тхыгъэм зыгуэрым и Iэ зэрыщIэлъыр. Армыхъумэ, 2011 гъэм и кIэ лъандэрэ адыгэхэм къэрал властым драгъэкIуэкI зэпсэлъэныгъэмкIэ (зэпсэлъэныгъэм уигу къигъэкIыр зы лъэныкъуэмкIэ кIуэ гъуэгу фIэкIа зимыIэ зекIуапIэщ) жэуап зыхьыжын зы къахэкIащ. ДяпэкIэ дэ тщIэнущ жэуапу къыдатыжа тхыгъэм зи Iулыдж иригъэхуэхыр хэтми. Нэфлъашэ Наимэ. Москва къалэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25347.txt" }