text
stringlengths
11
353k
meta
dict
ЩIэныгъэмрэ нэмысымрэ ягъэдахэ бзылъхугъэ «Жыгым къыпыкIэр и уасэщ, цIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ», — жаIэ. Шэч хэмылъу, цIыхум и гъащIэм щыпхиша лъагъуэр бгъуэ хъунуми, кIыхь хъунуми зэлъытар къыхиха Iуэхум хилъхьэ къарурщ, ирихьэлIэ гуащIэм и инагъырщ… SONY DSC Мы тхыгъэр зытеухуа, УФ-м и Правительствэм деж щыIэ Финанс университетым Экономикэ лэжьыгъэм и хабзэ зэхэтыкIэхэмкIэ и департаментым и доцент, юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат, ди хэкуэгъу щIэныгъэрылажьэ бзылъхугъэ, егъэджакIуэ Iэзэ Дыгъужь (Шыбзыхъуэ) МыIуминат нобэ къызэринэкIа гуащIэмрэ лэжьыгъэмрэ уриплъэжмэ, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым и пщIэр Iэтыным хуищI хэлъхьэныгъэр къызэрымыкIуэу инщ, куущ, купщIа-фIэщ. МыIуминат къыхиха IэщIагъэм емызэшу хуолажьэ, зытехьа щIэныгъэ гъуэгум гушхуауэ ирокIуэ, и лэжьыгъэм гупсэхуу бгъэдэтщ. НэгъуэщIуи хузэфIэкIынукъым. МыIуминат зыщIапIыкIар аращ, щапхъэ хуэхъуар узыфIэмыкIыжыну щIэныгъэ куурэ зэхэщIыкI лъагэрэ зэрылъ унагъуэ дахэщ. КъЩР-м и Хьэбэз районым хыхьэ Жьакуэ (Алъэсчырей) къуажэм дэс егъэджакIуэхэу Шыбзыхъуэхэ Хьэтызэрэ Аминатрэ я унагъуэм къихъуащ щIэныгъэр гъащIэ гъуэгу зыхуэхъуа пщащэ пажэр. Къуажэм дэт курыт еджапIэр фIы дыдэу къиухри, пщащэм мурад ищIащ и адэ-анэм я гуащIэдэкI гъуэгуанэм ирикIуэну икIи Черкесск дэт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэч Умар и цIэр зезыхьэ, егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр педагогическэ училищэм щIэтIысхьащ. ИкIи диплом плъыжькIэ еджапIэр къиухащ. Иужьым, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэгъэгъуэтыным хуэпабгъэ пщащэм мурад ищIащ еджапIитIым зэуэ щIэтIысхьэну. Ар къехъулIащ абы икIи институтитIыр къызэдиухащ — тхыдэ, юридическэ факультетхэм щеджащ. ИужькIэ аспирантурэм щIэтIысхьэри, Москва щыпхигъэкIащ адыгэ IуэрыIуатэр зи лъабжьэ «Правовая охрана проявлений фольклора» кандидат диссертацэр. Шыбзыхъуэ МыIуминатщ япэ дыдэу лъэпкъым и IуэрыIуатэр хъумэным теухуа юридическэ щIэныгъэ лэжьыгъэр Москва щыпхызыгъэкIар. А лэжьыгъэр иригъэжьауэ щытащ езым къиуха къуажэ курыт еджапIэм тхыдэмкIэ егъэджакIуэу щыщылажьэм. Абдежу къелъытэ и IэщIагъэм хуиIэ зэхэщIыкIым зыщиужьар, и къарур псыхьа щыхъуар. НэгъуэщIу хъунт?! Пщащэр япэ и IэщIагъэм щыпэрыувари, щIэныгъэ гъуэгум щытеувари а еджапIэрат, и адэр зи унафэщIырт. ЛэжьыгъэкIэ щапхъэ хуэхъуа и адэр пасэу дунейм ехыжащ… И кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIыу, щIэныгъэцIэ лъагэр къыхуагъэфэ- ща нэужь, МыIуминат хеящIэм и дэIэпыкъугъуу КъШР-м и Арбитраж судым щылэжьащ. Абы къыкIэлъыкIуэу, Тюмень къэрал университетым и къудамэу Ямал хытIыгуныкъуэм щыIэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэми щыIащ. — Си гъащIэм щызэзгъэгъуэта Iуэху зехьэкIэм, си зэхэщIыкIым, щIыуэпс щытыкIэ къызэрымыкIуэ здэщыIэ щIыпIэхэм сызэрыщылэжьам, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэм сыкIэлъыплъу сыкъызэрыгъуэгуры- кIуам си щIэныгъэ лэжьыгъэм хузиIэ бгъэдыхьэкIэм хуабжьу зригъэхъуэжащ. Псалъэм папщIэ, сыкъызыхэ-кIа лъэпкъым къыдекIуэкI лъэпощ-хьэпохэмрэ Урысейм и ищхъэрэ лъэныкъуэм щыпсэу лъэпкъхэр къызэтенэнымкIэ, захъумэжынымкIэ зэфIахын хуей Iуэхухэмрэ зэзгъапщэурэ, адыгэ лъэпкъым фIы и лъэныкъуэкIэ дяпэкIэ зиужьыным хуэгъэзауэ гъуэгум и кIуапIэр къыхэслъагъукIащ, — къыддогуашэ щIэныгъэрылажьэр. ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщауэ, нобэ МыIуминат щолажьэ УФ-м и Правительствэм деж щыIэ Финанс университетым. Абы къыдэкIуэуи, езым къарурэ гукъыдэжрэ къыхэзылъхьэ Iуэхум — иджырей студентхэм я егъэджэныгъэм и методикэм — гуащIэ ин хелъхьэ. МыIуминат и Iэдакъэ къыщIэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр узыфIэмыкIыжыну мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Зи гугъу тщIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм, егъэджэныгъэм, лъэпкъым и щэнхабзэр хъумэным хуищI хэлъ-хьэныгъэшхуэм япкъ иткIэ, МыIуминат иджы дыдэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием хагъэ-хьащ. — ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием хуэдэ зэгухьэныгъэхэм пIалъэ зэхуэмыдэхэм къалэныщIэ-хэр къахуэуву щытыпхъэу къызолъытэ. ИкIи, сызэреплъымкIэ, нобэ академием лъэкIыныгъэшхуэ иIэщ дуней псом адыгэу тетым я щIэныгъэлIхэр зэдэгъэлэжьэнымкIэ, къэхутэныгъэхэр зэдрагъэкIуэкIынымкIэ, лъэпкъым ифI къызыхэкIын, лъабжьэшхуэ зиIэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр къагъэщIынымкIэ къару ин къыкъуэкIыну. Зы лъабжьэ уиIэу, зы хабзэ зепхьэу, ауэ къэрал зэхуэмыдэхэм ущыщыпсэукIэ, щIэныгъэ еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ущыщылажьэкIэ, бзэ куэд зыщIэхэр къыщыпхэткIэ, мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ щIэныгъэлI псоми ди лэжьыгъэр ину утыкум зэрыщыдгъэIуным иужь дитын хуейуэ, — жеIэ Шыбзыхъуэм. Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы пщащэм и лэжьыгъэм, бгъэдэлъ щIэныгъэм къадэкIуэу, хэлъ цIыхугъэр, нэмысышхуэр, зэхэщIыкI куур, щабагъэр, гуапагъэр, шыIэр. Ар сыт щыгъуи хьэзырщ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зыщIигъэкъуэну. А хьэл-щэн дахэ псори ящIыгъужщ щIэныгъэрылажьэ бзылъхугъэм хэлъ ерыщагъымрэ быдагъымрэ. Сыту гуапэ МыIуминат и щапхъэр нэгъуэщIхэм яхуэпIуэтэн къудейр! ЩОХЪУЖЬ Люсанэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101346.txt" }
Шэч къызытумыхьэжынур аращи Адыгэхэмрэ абазэхэмрэ зы къежьапIэ зэраIам япэ-хэми дытепсэлъыхьащ. ЛъэпкъитIыр я хабзэкIи зэхэтыкIэкIи зэгъунэгъущ, я гупсысэкIэри дуней тетыкIэри зэщхьщ. Пэжщ, ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым тетщIыхьмэ, щIыналъэкIэ зэлъэIэс лъэпкъхэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдымкIи зэдогуашэ: зым ижь адрейм щIихуу, зым имыIэр адрейм къриIыхыу. Адыгэхэр нэгъуэщI лъэпкъхэми къадэгъуэгурыкIуащ. АрщхьэкIэ, ахэр, иджыри зэ къыхэдгъэщынщи, абазэхэм хуэ-дэу гъунэгъу къытхуэхъуфа-къым. Абы щыгъуэми, адыгэхэмрэ абазэхэмрэ зэ-рызэхущытым хуэдэу лъэныкъуитIыр зэхуэхъуныр къызыхэкIар, шэч къызытумыхьэжыныр аращи, куэдрэ зэрызэдэпсэуа къудейр аракъым, атIэ, ахэр, зэман жыжьэ дыдэхэм я деж къыщыщIэдзауэ, зэлъэбжьэгъууи къызэрекIуэкIарщ. А псом я гугъу дымыщIу, тхыдэ мыжыжьэмкIэ дыкъеплъэкIыжынщи, лъэпкъитIым яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм яжь къащIихуащ бзэуэ зэрахьэхэми: адыгэ-хэм къагъэсэбэп псалъэхэм ящыщ куэдыр абазэбзэм хыхьащ, абазэ лексикэм щыщхэри адыгэбзэм щыщ хъуащ. ЖытIэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, ди бзэм къыхэкIыу абазэбзэм къищта псалъэхэм ящыщу къэкIыгъэцIэхэм увыпIэшхуэ яубыд. Абыхэм яхэтщ удз, жыг, хадэхэкI, пхъэщхьэмыщхьэ фIэщыгъэхэр. МызыгъуэгукIэ дэ тхузэфIэкIынур аращи, къэкIы-гъэцIэхэм ящыщу щапхъэ зыбжанэ къэдгъэлъэгъуэнщ. Япэ идгъэщынщ ахэр аба- зэбзэм къызэрыщапсэлъымрэ абдежым щрата мыхьэнэмрэ, иужькIэ къэтхьынщ абы ирагъэщхьу адыгэбзэм хэт фIэщыгъэцIэр, языныкъуэхэм дежи, урысыбзэкIэ и мыхьэнэр гъэбелджылыжауэ: «Бджьый» (абазэ) — (тхудэшеяфэ, чинара), «Бжей» (адыгэ) — (бук восточный). Мы фIэщыгъэм и къэхъукIэм ехьэлIауэ бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къумахуэ Мухьэдин зэрыжиIэмкIэ, абы и къэунэхукIэ хъуащ «бжэ» псалъэм еигъэ къэзыгъэлъагъуэ суффикс «ей»-р пыувэкIэрэ. Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и академик, профессор Шагъыр Iэмин зэреплъымкIэ, жыгыцIэм лъабжьэ хуэхъуар бжы (зэрыпыджэ пасэрей Iэщэ) псалъэращ, а мыхьэнэм хуагъакIуэу щыта фIэщыгъэцIэр иужькIэ жыгым игъуэтыжауэ. Абы и щыхьэту Шагъырым къехь шапсыгъ диалектым хэт пчыйэ жыгыцIэу пчы (зэрыпыджэ пасэрей Iэщэ) псалъэм къытехъукIар. Щапхъэу къэтхьам къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, апхуэдэ щIыкIэкIэ къэхъуа къинэмыщI жыгыцIэхэми адыгэбзэм дыщрохьэлIэ. Пса-лъэм папщIэ, «Iэней» — бгылъэ мэзхэм къыщыкI жыг лIэу-жьыгъуэщ. Адыгэхэм а фIэщыгъэцIэр абы иратащ, Iэнэ къыхащIыкIыу зэрыщытам къыхэкIыу — «Iэней» («Iэнэ» + «ей»). КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101349.txt" }
КIуэкIуэ Дианэ и гъуэгу къежьапIэ Нотариус IэщIагъэм ди зэманым щIэупщIэшхуэ иIэ хъуащ. Ауэ абы и лэжьыгъэр тыншу къэзылъытэхэр щыIэщи, щоуэ. Дэфтэрхэр гъэхьэзрынымрэ Iэ щIэдзынымрэ къыдэкIуэу, ахэр зэпымыууэ щыгъуазэу щытын хуейщ къэралым и законхэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм. КIуэкIуэ Дианэ иджыри магистратурэм щIэсу (2010 гъэм), юрист-чэнджэщакIуэу щIыдагъэ къезышэкI IуэхущIапIэм лэжьэн щыщIи-дзащ, аспирантурэм щIэтIысхьа нэужь, егъэджэныгъэ Iуэхум хыхьащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым граждан правэмкIэ и кафедрэм и ассистент, итIанэ и доцент (2012 гъэм щегъэжьауэ) хъуащ. Илъэсищ хъуауэ а лэжьыгъэм нотариус IэщIагъэри дехь. — Хабзэ зэхущытыкIэхэм студентхэр зэрыхэзгъэгъуазэр сфIэмащIэу, юристуи сылэжьэну сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсу щытащ, — къыхегъэщ абы. КIуэкIуэ Дианэ хэтщ Нотариатым и дунейпсо зэгухьэныгъэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, ар IэмалыфIщ дуней псом щылажьэ нотариусхэм я зэфIэкIым зыщагъэгъуэ- зэнымрэ я Iуэху бгъэды- хьэкIэхэм щапхъэ трахынымкIэ. «Зэгухьэныгъэм и мыхьэнэр нэхъ ин ещI къащтэ хабзэхэм ехьэлIауэ уиIэ щIэныгъэм щыщIагъэ гуэр хэлъмэ абы гу зэрылъыуигъэтэжым», — жеIэ Дианэ. АдэкIэ ар щеджащ Нотариатым и Дунейпсо университетым — нотариус ныбжьыщIэхэр зыщIагъэтIысхьэм. «Си лэжьыгъэм зэрыщIэздзэрэ абы щызгъуэта гъэунэхуныгъэм нэхърэ нэхъ згъэлъапIэ сиIакъым. Франджым, Швейцарием, Канадэм я профессор нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм, къэрал зэ-мылIэужьыгъуэу 80-м щIигъум я IэщIагъэлIхэри абыхэм яхэту, щхьэж и къэралым хуитыныгъэхэр зэрыщахъумэм, я Iуэху еплъыкIэхэм дедэIуэну Iэмал диIащ», — пещэ абы. КIуэкIуэ Дианэ Федеральнэ Нотариальнэ палатэм и лIыкIуэхэм я гъусэу, Париж щекIуэкIа франджы-урысей конференцми хэтащ. — Нотариатыр псом нэ-хъыщхьэу цIыхум дэлажьэу аращ. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, абы щызэхокI цIыхухэм я хуитыныгъэхэм епха гугъуехьхэр. Ди зэманым бжыгъэ технологиехэм зэрызрагъэужьым нотариусым и IэщIагъэм хуэмыныкъуэж хъуну еплъыкIэ зэрыщыIэр си фIэщ хъуркъым, — къыхегъэщ бзылъхугъэм. — СызэреплъымкIэ, цIыхухэм сыт хуэдэ зэманми абы зыхуагъэзэнущ. Сыту жыпIэмэ, и хуитыныгъэхэр лъэныкъуэ псомкIи къилъытауэ программэм хузэгъэзэхуэну къысщыхъуркъым. Абы щыгъуэм нотариусым Iэ зыщIи-дза, мыхъур зытридза дэф-тэрым шэч хэлъыжкъым. Иджыпсту нэхъыбэрэ IэщIагъэлIхэм зэрызыхуагъазэр щIэину къалъысым щыхьэт техъуэ дэфтэрыр тхыным теухуащ. Апхуэдэуи дзыхь-тхылъ гъэхьэзрынми щIэупщIэ иIэщ. Иужьрей зэманым къыкъуэкIа зэпэщIэхэ IэмалыщIэхэм я фIыгъэкIэ куэдым зыкъытхуагъэзэф нэгъуэщI къалэхэм щыщыIэм дежи. Дианэ Нотариус ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Ар КъБР-м и Нотариальнэ палатэм хеубыдэм икIи абы хагъэхьэр илъэси 10-м щIигъукIэ а IэщIагъэм ирилэжьахэрщ. — СызэреплъымкIэ, зэгухьэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ нотариатым и мыхьэнэр зыхуэдэр цIыхум къагуригъэIуэныр, хабзэ и лъэныкъуэкIэ чэнджэщэгъу яхуэхъуныр, — жеIэ Дианэ. — КъБР-м и Нотариальнэ палатэм и президентым и гъусэу, ди зэгухьэныгъэр зэлэжьынухэр иджыблагъэ игъэбелджылащ. Сэ сыхуейщ адэкIи жылагъуэ IуэхущIапIэхэм садэлэжьэну, цIыхухэм я хуитыныгъэхэм хэзыгъэгъуазэ зэхыхьэхэм си къару хэслъхьэну, псапэ зыпылъ Iуэхухэм сыхэтыну. Псалъэм папщIэ, ди зэгухьэныгъэр ядолажьэ республикэм и Адвокатхэм я коллегием, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм епха щIа-лэгъуалэ центрым, КъБР-м и профсоюз IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм. Иджыблагъэ КъБКъУ-м и юридическэ къудамэм и гъусэу «стIол хъурей» едгъэкIуэкIащ. Ар тедухуат ди республикэм щыпсэухэм юридическэ Iуэхухэм ехьэлIауэ пщIэншэу чэнджэщхэр зэрыратыр тэмэму зэтеублэным. Ди мурадхэр куэд мэхъу, зэрыхъукIэ, ахэр зэрыдгъэзэщIэнум дыхущIэкъунущ. НэгъуэщI зы Iуэху щхьэпи КIуэкIуэ Дианэ и ужь итщ — ар Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым дэфтэрхэр зэрагъэхьэзырым ехьэлIауэ цIыхухэр нэхъыбэу зыщIэупщIэхэм, зи хэкIыпIэ къалъыхъуэхэм теухуауэ чэнджэщхэр зэращритырщ. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101352.txt" }
ЗылI и быну ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэу пщэдей Урысей Федерацэм щагъэлъапIэнум ди къэралым и тхыдэ напэкIуэцIхэм дыхурегъэплъэкIыж, абы хэта гугъуехьхэр ди нэгу къыщIегъэувэж. Илъэс 400 хуэдизкIэ узэIэбэ- кIыжмэ, щытыкIэ гугъу ихуа цIыхубэр зылI и быну зэкъуэувэныр хэкIыпIэфIу зэрыщытам и нэщэнэщ мы махуэшхуэр. Урысей лъэпкъыбэм апхуэдэ акъылрэ къарурэ къалъыкъуэкIри, хэкупсагъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ зэришэлIащ, къалъыкъуэкIа гугъуехьым а зэкъуэтыныгъэм и фIыгъэкIэ пэлъэщри, гъуэгу захуэм теуващ. Ди гъунэгъу къэралхэм ящыщу нэхъ лъэщу щыта Польшэм Урысейр зыIэщIилъхьэну къыщытеуэм, нэгъуэщI къэралым и унафэ щIэувэну хуэмей цIыхубэр куэд хъурти, къызэрыIэтащ. А зэщIэхъееныгъэр зэщIагъэуIуащ Минин Козьмарэ пщы Пожарскэ Дмитрийрэ. Дзэзешэу абыхэм ягъусащ адыгэпщ Черкасскэ Дмитрий (Къанщауэ). Урысейм и цIыхухэр къаруушхуэ зэрыгъэхъуат икIи яхузэфIэкIащ зэрыпхъуакIуэхэр Москва дахужу къэралыр хуит къащIыжын. Абы теухуауэ ягъэува махуэшхуэр XX лIэщIыгъуэр къэсыху илъэс къэс ягъэлъэпIащ, ауэ Октябрь революцэ нэужьым ар къэралым и махуэшхуэхэм хагъэкIащ. АрщхьэкIэ «Урысейм и зауэлI щIыхьымрэ фэеплъ махуэхэмрэ я IуэхукIэ» 1995 гъэм гъатхэпэм и 13-м къыдэкIа Федеральнэ законым ипкъ иткIэ, ар зэфIагъэувэжащ, мылэжьэгъуэ махуэуи ягъэпсащ. Нобэ Урысейм и унафэщIхэми, абы щыпсэухэми я дежкIэ лъапIэщ мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ, зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ. Ар япэ зэрырагъэщырщ зэманым къигъэув мардэхэм щIыпэлъэщыфри, къэралым къару къезытри, зыужьыныгъэм ерыщу щIыхуэкIуэри. БлэкIам ухуеплъэкIыжкIэрэ, къэкIуэнур бубзыхун хуейщ. Къэралым, лъэпкъхэм я тхыдэм къыхэщыж Iущыгъэхэр, ехъулIэныгъэхэр, ди адэшхуэхэм я IуэхущIафэхэмрэ гупсысэ убзыхуахэмрэ къэтпщытэжурэ иджыри гъуазэ тщIыфынущ, абыхэм я фэеплъым дыхуэпэжу мамыру дыпсэуфынущ, къыдэкIуэтей щIэблэм гупсысэ куурэ хэкупсэ гъэсэныгъэрэ ябгъэдэтлъхьэфынущ. Уи хэкур фIыуэ плъагъумэщ узыпэрыт Iуэхур къыщохъулIэнури, узытет гъуэгуанэр къыщызэбнэкIыфынури, укъэзыухъуреихьхэм тыншу уащыдэпсэуфынури. Абы къыхэкIыу дзыхь зэхуащIыжу, зэгурыIуэу, зэдэIэпыкъужу цIыхубэр зэдэпсэумэ, хэкуми, лъэпкъми, унагъуэми, цIыхуми я къарумрэ зэфIэкIымрэ ефIэкIуэнуращ. Ахэращ къэралыр лъэщ зыщIри, ипэкIэ зыгъэкIуатэри. НэщIэпыджэ Замирэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101355.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа и хъуэхъу ПщIэ зыхуащI Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэ! ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу! Урысейм и гъащIэм и псэзэпылъхьэпIэ лъэхъэнэхэм ящыщ зым епха мы махуэшхуэм, зи щхьэ хущытыж икIи зыми и унафэ щIэмыт къэралыгъуэу адэкIэ зиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIам, дыхуеунэтI тхыдэм и дерс щхьэпэхэм, лIэщIыгъуэкIэрэ къыддегуэкI хэкупсэм и хабзэхэр дигу къегъэкIыж, хуэпэжу Хэкум хуэлэжьэным, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм, къэралым и нобэмрэ къэкIуэнумкIэ жэуап зэрытхьым я нэщэнэщ. Лъэпкъ псоми ди зэхуэдэ псэкупсэ лъапIагъэхэмрэ хабзэхэмрэ иджыри я шэсыпIэу щытщ къэралым ехъулIэныгъэкIэ зиужьынымрэ дэтхэнэ зы цIыхуми и зэIузэпэщыныгъэмрэ. ГъащIэм иджыпсту дызэригъэувэ щытыкIэ гугъухэм я пащхьэм дыщиткIэ ди къалэнщ — Хэкум и щIэин къулейхэр сыт и лъэныкъуэкIи тхъумэну, зэманым декIу, Урысей зэщIэгъагъэ лъэщ ухуэным хуэтщI хэлъхьэныгъэм хэдгъэхъуэну. Си фIэщ мэхъу, зэкъуэтыныгъэмрэ зэщIэгъэкъуэныгъэмрэ тхъумэкIэрэ, дэ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр зэдгъэхъулIэфыну, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ди зэхуэдэ Хэкумрэ я къэкIуэну дахэм папщIэ. Си гуи си пси къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, гуапагъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ фиIэну.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101358.txt" }
Хьэшырым и топхэм Волгоград бжыгъэшхуэкIэ дыщытрагъакIуэ «Ротор-2» (Волгоград) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:3 (0:1). Налшык. «Зенит» стадион. Жэпуэгъуэм и 31-м. Судьяхэр: Шипков (Белореченск), Сафаров (Дон Iус Ростов), Тюмидов (Элиста). «Ротор-2»: Репин, Кушаров (Болотин, 57), Тарнов, Балахонов, Смоляков, Михайлов (Андреев, 75), Вебер (Курдин, 79), Шильников, Вершков (Попов, 75), Госинкеев, Щербин (Бирюков, 79). «Спартак-Налшык»: Къардэн, Ольмезов, Сындыку, КIэдыкIуей, Шумахуэ И., Шумахуэ З., Хьэшыр, Черткоев (Бенедык, 81), Жангуразов (Торосян, 69), Бэчбо (Къумыкъу, 89), ЛIуп. Топхэр дагъэкIащ: Хьэшырым, 16 (0:1). Репиным — езым и гъуэм, 53 (0:2). Хьэшырым, 76 (0:3). Дагъуэ къыхуащIащ Смоляковым. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу вэсэмахуэ Волгоград щекIуэкIащ «Ротор-2»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» я зэIущIэр. Турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм щыт хэгъэрейхэмрэ и кум имыкIыф налшыкдэсхэмрэ я зэпэщIэтыныгъэр командэхэм жыджэрагъышхуэ къамыгъэлъагъуэу къыщIадзащ — дэтхэнэ зыми и тIасхъэр адрейм зригъэщIэну хущIэкъурт. ЕпщыкIуханэ дакъикъэр екIуэкIыущ ди щIалэхэм ебгъэрыкIуэныгъэ псынщIэ къыщызэрагъэпэщар. Абы хэту топыр къызыIэрыхьа Жангуразовым ар штрафнойм илъадэ Хьэшырым хуигъэжащ. Алан волгограддэсхэм я гъуащхьэхъумэхэм къапекIуэкIри, хуэзанщIэ къыхуэхъуа гъуащхьэтетым пэжыжьэ плIанэпэмкIэ топыр иутIыпщащ. Репиныр абы лъэIэсакъым — 0:1. ПсынщIэу дигъэкIа топым «Спартак-Налшыкым» жыджэрагъ къыхилъхьэн хуея щхьэкIэ, бжыгъэр къызэIуаха нэужь щытыкIэм зэрызихъуэжа щыIэкъым — пэщIэдзэми хуэдэу, зэпэщIэтыныгъэр кIащхъэт, уеблэмэ хэгъэрейхэр ипэкIэ зэрыкIуэтэным хущIэкъурт. Япэ Iыхьэм хухаха зэманым и ныкъуэр нэблэгъауэ «Ротор-2»-м контратакэ псынщIэ къызэригъэпэщащ. Абы хэту топыр къызыIэрыхьа хэгъэрейхэм я гъуащхьэхъумэныкъуэ Михайловыр зэкIэлъхьэужьу ди гъуащхьэхъумищым яIэщIэкIащ. Штрафнойм зэрихьэу ар занщIэу гъуэм еуащ, арщхьэкIэ щытыкIэм сакъыу кIэлъыплъ налшыкдэсхэм я гъуащхьэтет Къардэн Имран топыр къищтащ. Командэхэр загъэпсэхуну икIыным куэд къэмынэжауэ, «Ротор-2»-м зыкъызыкъуихащ икIи бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжыну Iэмал иIащ. Ди штрафнойм зэман кIыхькIэ изэрыхьа топыр волгограддэсхэм ящыщ зым къыIэрыхьэри, «Спартак-Налшыкым» и гъуэм еуащ. Гъуащхьэтетыр зылъэмыIэса топым къригъэгъэзащ Шумахуэ Заур. ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэр хьэщIэхэм я тепщэныгъэкIэ къыщIидзэжащ. Зы ебгъэрыкIуэныгъэм адрейр къыкIэлъыкIуэу джэгур «Ротор-2»-м и лъэныкъуэмкIэ ягъэIэпхъуат. Ди щIалэхэм я текъузэныгъэм угловойм къаригъэлэжьащ. Ар хьэлэмэту иухащ — волгоград футболым и гъэсэну къытхэт Черткоевым къиутIыпща топым щхьэкIэ еуэри и гъуэм дигъэкIыжащ «Ротор-2»-м и гъуащхьэтет Репиным — 0:2. Куэд дэмыкIыу «Спартак-Налшыкым» иджыри зы ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщ къызэригъэпэщащ. Аргуэру къыхэжаныкIащ Черткоевыр, ауэ иджы ар зэуа топыр зымащIэкIэ штангэм блэлъэтащ. Волгограддэсхэр къыкIэлъыкIуэ дакъикъэм контратакэ псынщIэкIэ налшыкдэсхэм я гъуэм къыбгъэдыхьащ. Михайловым къыхита топыр штрафнойм ихьэ Вебер къыIэрыхьащ. Иужьрейр лъэщу зэуа топыр Къардэным ерагъыущ угловойм зэригъэкIуар. ТопитIкIэ япэ зэритым икIи зэIущIэр икIэм зэрынэблэгъам хьэщIэхэм я тепщэныгъэр игъэужьыхыртэкъым. Апхуэдэу ди щIалэхэм я къыкIэлъыкIуэ ебгъэрыкIуэныгъэм гъуащ- хьэтетым пэгъунэгъу Хьэшырым топыр къыщыIэрыхьащ икIи Репиным зы Iэмали къыхуигъэнакъым абы къригъэгъэзэну — 0:3. ЗэIущIэм щыщу къэнэ-жа зэманыр «Спартак-Налшыкым» зэрыхуейм хуэдэу иригъэкIуэкIащ. Абы ди щIалэхэм бжыгъэшхуэкIэ текIуэныгъэ къахуихьащ. ЕпщыкIущанэ джэгугъуэм и адрей зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къарикIуащ: «Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «Чайка» (Песчанокопскэ) — 2:2, «Динамо» (Ставрополь) — «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — 1:0, СКА (Дон Iус Ростов) — «Легион-Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — 2:1, «Кубань-Холдинг» (Павловскэ) — «Дружба» (Майкъуапэ) — 3:1, «Черноморец» (Новороссийск) — «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) — 5:0, «Форте» (Таганрог) — «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) — 1:0. КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» и унэ щригъэкIуэкIынущ. ЩэкIуэгъуэм и 6-м абы къригъэблэгъэнущ «ТIуапсы»-р. Жыласэ Замир.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101363.txt" }
Саугъэт лъапIэхэр зыхуэфащэхэр Атлетикэ псынщIэмкIэ федерацэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм илъэсым и спортсмен нэхъыфIу къалъытэнымкIэ зэпеуэм хэтхэм я цIэр къриIуащ. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа Ласицкене Марие. Фигу къэдгъэкIыжынщи, лъагэу дэлъеинымкIэ зыбжанэрэ дунейпсо чемпион Ласицкене Марие шыщхьэуIум и пэм и ехъулIэныгъэхэм хилъхьащ Олимп джэгухэм я дыщэ медалыр. Токио иужькIэ Марие и текIуэныгъэхэм дунейпсо зэхьэзэхуэ зыбжанэм къыщыпищащ. Лъэхъэнэр абы зэхуищIыжащ «Налкъутналмэс лигэм» и финал зэхьэзэхуэхэм щигъэува рекордымрэ дуней псом лъэхъэнэм щыщыIа ехъулIэныгъэмкIэ — ар щхьэпрылъащ метри 2,05-м. Зэпеуэм и кIэухым хэтыну спортсмен нэхъыфIитхур лъэныкъуищ IэIэткIэ къыщыхахынущ. Ласицкене щыдэщIыфынущ Атлетикэ псынщIэмкIэ федерацэхэм я зэгухьэныгъэм (World Athletics) и интернет напэкIуэцIхэм. IэIэтыр щэкIуэгъуэм и 6-м иухынущ. ТекIуахэм я цIэр дыгъэгъазэм къраIуэнущ. Ласицкене Марие и гъэсакIуэ Габрилян Геннадий «Урысейм и гушхуэныгъэ» лъэпкъ спорт саугъэтыр зыхуагъэфэщэнухэм я зэпеуэм хагъэхьащ. МЭЗКУУ Къанщобий.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101366.txt" }
Картэм и тхыдэр Сыт хуэдэ зэманми цIыхухэм дунейр къызэхакIухь. Абы и лъэ нэхъапэкIэ щимыгъэува щIыпIэ къыщыхутэ хъужыкъуэмэ, а щIыпIэр зыхуэдэр, и гъуэгур дамыгъэ гуэрхэмкIэ къызэрагъэлъэгъуэным и ужь итхэт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къежьащ щIыпIэ къэзыгъэлъагъуэ япэ картэхэр. Хьэлэмэткъэ, археологхэм къагъуэта картэ нэхъ пасэрей дыдэхэм къыщыгъэлъэгъуар вагъуалъэ уэгурщ. Пасэрей цIыхухэр зэрыгъуазэр уафэм зи пIэ щызымыхъуэж вагъуэхэмкIэт. Франджым, бгъуэнщIагъ гуэрым и блынхэм, археологхэм къыщалъэгъуащ кIэIунэ защIэкIэ зэхэгъэува тхыпхъэ — жэщ уафэгум и зы теплъэ. Абы и ныбжьу щIэныгъэлIхэм хуагъэфэщащ илъэс мин 18 — 19 хуэдиз. Испанием щыIэ нэгъуэщI зы бгъуэнщIагъми къыщагъуэтащ апхуэдэ дамыгъэхэр — ари илъэс мин 14 хъууэ къабжащ. Пасэрей картэхэм ущрихьэлIэрт щIы щхьэфэм и теплъэми: бгыхэм, мэзхэм, псыхэм. ЛъыхъуакIуэхэм апхуэдэ картэ къыщагъуэтащ Чехием, Павловэ къалэм. Илъэс мин 27-рэ — къахутащ и ныбжьри. Испанием мывэ гъэщIэгъуэн къыщагъуэтауэ щытащ. СурэтыщI гуэрым абдеж трищIыхьат картэрэ щакIуэбзэм епха дамыгъэ гуэрхэмрэ. А зэманым ящIа картэхэр щыуагъэу жыпIэну къезэгъыркъым. Абы щыгъуэ дэтхэнэми илъагъур зэрегупсысым хуэдэу къигъэлъагъуэрт. Тыркум, Чатал Хююк щIыпIэм деж, нэпкъ гуэрым кIэрыщIыхьа тхыпхъэхэм къыхалъагъукIащ къуажэм и теплъэ. ЗэуIуу иувыкIа унэхэр щыплъагъурт, я екIуэлIапIэхэр унащхьэхэм къыкъуэмыщу. Абы къикIыр сыт: картэр зэхэзыгъэувам щIыпIэр ищхьэкIэ къыщхьэщыту къызэхиплъыхьащ. Бгым е жыг абрагъуэ гуэрым къеплъых хуэдэт. Пасэрей Египет картографием и щапхъэщ Туриным и музейм щахъумэ папирус картэр. Абы и ныбжьыр илъэс мини 3 мэхъу — Рамзес IV и пащтыхьыгъуэм и зэманщ. Картэм щыболъагъу Нил и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щиувыкIа бгыхэр. Абдежым дыщэ, дыжьын къыщIэхыпIэхэр хуэзэрт. Картэм и тхыдэм быдэу хэуващ Вавилон и дунейпсо картэр. Ар ятIагъуэм къыхэщIыкIа таблицэт. Абы къыщыгъэлъэгъуащ щIыпIэхэри IуэрыIуатэхэри. ИпэжыпIэкIэ щыIэ щIыпIэхэр дамыгъэ хъурейкIэ, щымыIэхэр щимэу къэгъэлъэгъуат. Алыджхэм зэхагъэувэрт иджырейхэм нэхъ ещхь картэхэр. Географ Милетский Амаксимандр ди эрэм и пэкIэ илъэс 500-кIэ узэIэбэкIыжмэ, картэ зэхигъэуват. Ар хъума хъуакъым, ауэ илъэс 50 дэкIыжауэ нэгъуэщI географ — Милетский Гекатей абы къытрищIыкIыжа картэр щыIэщ, ЩIыкурытых тенджызымрэ тенджыз ФIыцIэмрэ я теплъэ щыплъагъуу. Ди эрэм и пэкIэ III лIэщIыгъуэм пасэрей алыдж щIэныгъэлI Киренский Эратосфен щIыр зэрыхъурейр къигъэлъэгъуат. Уеблэмэ и радиусри мащIэ дыдэкIэ фIэкIа щымыуэу къипщытат: километр 6311-рэ. А Iуэхум нэгъуэщI зы упщIэ къигъэуващ: щIыр зэрыхъурейр картэм дауэ къызэрыщыбгъэлъагъуэ хъунур? Эратосфен абы папщIэ къигупсысащ меридианхэр. Пасэрей картэхэр зэхэгъэувэным и тхыдэм хэтщ ди эрэм и пэкIэ II лIэщIыгъуэм псэуа географ Птолимей Клавдие и цIэр. Абы лэжьыгъитI иIэщ: «Великое математическое построение по астрономии в 13 книгах», «Руководство по географии» (томи 8-уэ зэхэтщ). Иужьрейм картэ 27-рэ щIыгъут, дуней псор къэзыгъэлъагъуэри яхэту. Птолимей и картэр зимыхъуэжу къагъэсэбэпащ иджыри лIэщIыгъуэ 12-кIэ. Урымыр лъэлъэжа нэужь, Европэм и псэукIэр екIакIуэрт, КъуэкIыпIэм нэхъри зиужьырт. Хьэрыпхэр иригъуазэрт Птолимей и картэ цIэрыIуэм. Уеблэмэ, ар щэныкъуэрэ къыдагъэкIыжат. XVI лIэщIыгъуэм Меркатор Герард дунейпсо атлас къыдигъэкIащ. Картэхэр щызэхуэхьэса къыдэкIыгъуэм «атласкIэ» еджэ хъуащ. XIX лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ картэхэр ныкъусаныгъэншэрэ нэщIыса дыдэу зэхагъэувэу зрагъэсащ. «Загадки истории» журналым къитхыжащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101369.txt" }
Дыщэидэм хегъэгъуазэ IэпэIэсэ, дэрбзэр Къущхьэ Iэсият Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэр зыхэта «Мэшыкъуэ-2020» щIалэгъуалэ зэпеуэм къыщихьа грантым и фIыгъэкIэ егъэзащIэ «Лъэпкъ щэнхабзэм зэпымыууэ зегъэужьын» проект щхьэпэр. Абы хыхьэу, ныбжьыщIэхэмрэ гупыж зиIэ балигъхэмрэ хуегъасэ дыщэидэ, бэзэридэ, дыщэкI пасэрей IэщIагъэ дахэхэм. Къущхьэ Iэсият зэрысабийрэ модэм, дизайнер хьэпшыпхэм, фэилъхьэгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэм дахьэхырт икIи дэрбзэр IэщIагъэм ехьэлIа курсхэр диплом плъыжькIэ къиухащ. Псом хуэмыдэу дэрэжэгъуэ мыухыж, гухэхъуэгъуэ къезытар илъэс 15 ныбжьым щитым Сэралъп Мадинэ и фэилъхьэгъуэхэр утыку къизыхьа моделхэм зэрахэтарт. Курыт еджапIэ нэужьым ар КъБКъУ-м декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетым щеджащ. И студентыгъуэ зэманым лъэпкъ фащэхэм я тхыдэм дахьэха хъыджэбзым псом хуэмыдэу нэхъ куууэ иджащ ди лъэпкъ фащэм и къекIуэкIыкIар, и зыужьыкIар, игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмрэ иджы ар къызэрагъэщIэрэщIэжа щIыкIэмрэ. Мы зэманым Iэсият Промышленность псынщIэмкIэ колледжым IэпэIэсагъэм щыхурегъаджэ. Абы къыдэкIуэу лъэпкъ фащэхэмрэ махуэ къэс цIыхубзхэм щатIагъэ фэилъхьэгъуэхэмрэ ед, лъэпкъ тхыпхъэхэр хиухуанэурэ. — КъБКъУ-м сыщыщIэтIысхьа гъэм дыщэидэм хуезыгъаджэ егъэджакIуэр зэрыIуагъэкIам къыхэкIыу, а дерсхэр ди программэм хагъэкIат. Зэкурсэгъухэр дыщэидэм дыдихьэхати, пщIэкIэ абы зыщыхуэдгъэсащ Тверь областым хыхьэ Торжок къалэм дыщэидэм и IэпщIэлъапщIэхэр щагъэхьэзыр еджапIэр къэзыуха Дагировэ Маринеттэрэ Шэт Джульетэрэ я деж, — жеIэ Iэсият. — Лъэпкъым къыдекIуэкI а пасэрей IэщIагъэр мыгъэкIуэдыжынырщ дыщэидэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм апхуэдэ гулъытэ щIыхуэсщIыр. Университетым сыщыщIэсым лъэпкъ фащэр и кIэм нэс джауэ, абы щIэ гуэри пхухэмылъхьэну къысщыхъуат, ауэ куэдкIэ сызэрыщыуэр псынщIэу къызгурыIуэжащ. Аращ абы сыхэлэжьыхьыну сыщIытегушхуари. «Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ зэхуэсым Iэсият къыщихьа грантым и фIыгъэкIэ, щIалэгъуалэр дыщэидэм хэгъэгъуэзэным теухуа мастер-класс щIэщыгъуэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэрегъэпэщ икIи зыхуигъэувыжа къалэнхэмрэ мурадхэмрэ къохъулIэ. Абы хэтщ зи ныбжькIэ зэхуэмыдэ пщащэхэр. ЦIыху пщIы бжыгъэхэр къызэщIиубыдэу къызэригъэпэщ ныбжьыщIэ гупхэм ядолажьэ Къущхьэ Iэсиятрэ и дэIэпыкъуэгъухэмрэ. ПщIэншэу къызэрагъэпэщ дерсхэм ятеухуа хъыбархэр интернетым щызэбграгъэкI, гупыж зыщI псори IэпэIэсагъэм хэзыгъэгъуазэ Iуэхугъуэхэм екIуэлIэну Iэмал яIэн папщIэ. Проектым щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар республикэм ис хъыджэбзхэр пасэрей IэщIагъэ дахэм и щэхухэм хуэгъэсэнырщ, гукъыдэж зиIэ пщащэхэм зэрызагъэдахэ цIугъэнэхэмрэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ езыр-езыру ящIыфу, дыщэидэ, уагъэ, хэдыкI IэпэIэсэ IэщIагъэхэм дегъэхьэхынырщ. Бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIугъэнэ зэмылIэужьыгъуэхэр гъущIым къыхэIущIыкIыным ехьэлIа дэтхэнэ зы художественнэ дерсри сыхьэтищым щыщIэдзауэ тхум нэблагъэкIэ екIуэкIащ, дыщэидэм хухахахэми хуэдэу. А зэхуэсхэм пщащэхэм щIэ куэд къыщащIащ. Мастер-классхэр къызэзыгъэпэща Iэсият и мурадщ а IэщIагъэм ирилажьэхэм я бжыгъэмрэ абы иIэ щIэупщIэмрэ хигъэхъуэну, пщащэхэм я IэпэIэсагъэм, щIыналъэм и щэнхабзэм зригъэужьыну: — ЩIыналъэм ис щIалэгъуалэр лъэпкъхэм къадекIуэкI дыщэидэ IэщIагъэм куэд щIауэ дахьэх икIи а IэпэIэсагъэм республикэм исхэр хэгъэгъуэзэныр, зыщрагъэужьыныр щхьэпэу къалъытэ. Абы ехьэлIа курсхэмрэ мастер-классхэмрэ зэрылъапIэр куэдым къатохьэлъэ. Аращ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ мастер-классхэр пщIэншэу къащIыхузэзгъэпэщари. Абы адыгэ пщащэхэм къадэкIуэу, гъунэгъу лъэпкъхэм щыщхэри яфIэфIу къекIуэлIащ. Ар и щыхьэтщ творчествэм лъэпкъ зэхэгъэж зэримыIэм. Апхуэдэ дерсхэр зыфIэгъэщIэгъуэну къекIуэлIа дэтхэнэми ехъулIэныгъэ зыIэригъэхьащ. Псом хуэмыдэу сагъэгушхуащ ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIым. Махуэ къэс хъыджэбзхэм щатIагъэ фэилъхьэгъуэхэм лъэпкъ тхыпхъэхэр нэхъыбэу къыщыгъэсэбэпынымкIи къощхьэпэ мыпхуэдэ дерсхэр. Псом хуэмыдэу ахэр къахуэсэбэпынущ пасэрей IэщIагъэхэм хуеджэну зи мурадхэм. Къущхьэ Iэсият ехъулIэныгъэхэр иIэу мызэ-мытIэу республикэ, дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм и лэжьыгъэхэр щигъэлъэгъуащ. Апхуэдэщ къалэм, лъэпкъ фащэм я махуэхэм ехьэлIауэ ди щIыпIэм щызэхаша гуфIэгъуэ зэIущIэхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щекIуэкIа «Минги-Тау» выставкэр. Къущхьэ Iэсият адэкIи и зэфIэкIхэм еплъыжыну, и зыужьыныгъэхэм хигъэхъуэну и мурадщ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101372.txt" }
Урыхужь Iуфэ ЗыхищIыкIыу щымыта, зэи зытемыплъа щIыпIэ телъыджэ гуэрхэр здэщыпсэум пэмыжыжьэу зэрыщыIэм цIыхум гу лъезгъэтэн сфIэфIщ. ИкIи ар инэхъыбэм къызохъулIэ. Къуэм и зэвыпIэм Мы тхыгъэм ипэ къихуэу сытетхыхьат си анэшыр зыдэс Хьэтуей къуажэм мэ-рем махуэм и пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу секIуэлIэжауэ зэрыщытам. Зи ныбжьыр илъэс 96-м щхьэдэха Бэрау Хьэсэнрэ ди анэмрэ зэкъуэшитIым я бынщ. Пхъурылъхум къыхуащта Iэнэм сыпэрысу, зыкъызэкъуэсх-ри, Хьэсэн и къуэ нэхъыщIэ Заурбий есIуэкIат Хьэтуей къуажапщэм адэкIэ щыIэ ныджэ нэщI кIыхьышхуэм и къуапэ дыдэм, иджырей Осетие Ищхъэрэ — Аланием и гъунапкъэр къызэкIуалIэм, зыщысплъыхьыну си нэ къызэрикIыр. ИкIи, а пщыхьэщхьэм къесхьэжьа псалъэмакъым анэш къуэшыр зэрыдезгъэхьэхыным яужь ситу, сэмэркъэу щIыкIэу къыхэздзат: «Урыху псыхъуэ и мыдрыщIкIэ республикитIым ди щIы кIапэхэр зэрыщызэпыхьэ щIыкIэм хэпщIыкIышхуэ щыIэу къыщIэкIынукъым уэри!» — жысIэри. Апхуэдэ псалъэм ар, дауи, къызэ-щIигъэнат икIи къыкIэлъыкIуэ махуэм нэхъ фIимыгъэкIыу «щIыпIэзэгъэлъагъу» и автомашинэмкIэ дригъэжьэну сыкъигъэгугъати, сэри а Iуэхум и зыужьыкIэм сыщыгуфIыкIат… КъызэрекIуэкIам кIэщIу сытепсэлъыхьыжынщи, зэгурыIуаитIым къыкIэлъы-кIуэ махуэм и пщэдджыжьыпэм, зилъэфыхь лей къыхэдмыгъахуэу, зыкъэдужьащ. Бэрау Заурбий, абы и щIэблэщIэ Мирхъан, а лъэхъэнэм зи ныбжьыр илъэси 10-м нэблэгъар, езы Заурбий курыт еджапIэм къыщыдеджа Чау Хьэчим, мы тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI сэри, дэ плIыр дызэгъусэу, дызэдежьат. ИкIи, зи гугъу сщIы щIыпIэр, Урыху и тIуащIэр Мэзылъэ шытхым къыщыдэунэхукIхэм деж Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ — Аланиемрэ я иджырей щIыналъэхэр зэрыщызэпыхьэр, зэдгъэлъэгъуащ. Ар а лъэныкъуэмкIэ ди япэрей зекIуэти, зэрекIуэкIари къестхэкIы-жащ. Тхыдэм щыщу Къумахуэ Аслъхэн Щыгъуазэ сызэрыхуащIрэ зэпымыууэ згъэщIагъуэрт, Хьэтуей ипщэкIэ километ-рих хуэдизкIэ удэкIуеижмэ, осетин къуажэ цIыкIу гуэрым узэрыщыхуэзэри, абы гъунэгъу дыдэу убгъэдыхьэпами ди республикэм и щIыналъэм иджыри уиту укъызэралъытэри, псыхъуэ лъэныкъуэмкIэ къэлъагъуэ жыг гуэрэныбэм адыгэхэр ноби «Къалэжь мэз»-кIэ зэреджэри. А псом къыдэкIуэуи сыщыгуфIыкIырт къуршым кърагъэIэпхъуха осетинхэм Урыху и тIуащIэм щыхуагуэша щIы Iыхьэхэм Лэскэн лъэныкъуэмкIэ егъэзэкIа Шыгуэбыкъуэ мэзылъэ кIеймрэ абы и дыхьэпIэр «зыхъумэ» Чац и Iуащхьэмрэ зэрыхрамыгъэубыдами. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым илъэс куэдкIэ щезыгъэджа, математик икIи тхыдэхутэ Iэзэ Мамхэгъ Астемыр адыгэхэм я къекIуэкIыкIар джыным куэд щIауэ дехьэх. Зэгуэр абы кIэщIу щыгъуазэ сыхуищIат осетинхэм а лъэныкъуэмкIэ щIы Iыхьэхэр зэрылъагъэса щIыкIэм. Мамхэгъым жиIэм тетщIыхьмэ, зи гугъу тщIы щIыгур абы ипэкIэ къэбэрдеипщ Къуэгъуэлъкъухэ яIыгъащ. Ар абыхэм хупаупщIат Осетие жыжьэм щыIэ Даргавс жьанэм къыдагъэIэпхъукIауэ щыта осетинхэм. Арагъэнущ Хьэтуей нэхъ къы-пэгъунэгъу осетин къуажэ цIыкIум (Средний Урух) адыгэхэр «Дыргъыпс»-кIэ щIеджэри. ЕтIуанэ ежьэгъуэм ЩIыналъэхэр щызэпыхьэм А щIыпIэр, гуп дыхъуу ди япэ кIуэгъуэм, нэхъ IупщIу зэрызэдгъэлъэгъуам апхуэдизу сригушхуэрт, сригуфIэрти, «ныбжьэгъуфIхэри зыдэщIызгъуу, куэди дэзмыгъэкIыу, абдеж дыдэм си лъэр аргуэру нэсхусарэт, нэху дыкъыщекIыфми сеплъарэт!» гупсысэр, зезмыгъэутIыпщу, си щхьэм щызгъэкIэрахъуэ зэпытт. Арати, къыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэм и зыгъэпсэхугъуэ махуитIым нэхъ фIэдмыгъэкIыу кIэлъыдгъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ — Аланиемрэ я иджырей щIыналъэхэр Урыху и ныджэм щызэпыхьэм. Къызэрыхэзгъэщащи, етIуанэ ежьэгъуэм си гъусахэр нэгъуэщIщ. Гъуэгуэгъу схуэхъуащ «гъэмахуэр имыкI щIыкIэ, жыжьэ дыдэ дымыкIуэф-ми, зы щIыпIэ гъэщIэгъуэн гуэрым дыпшащэрэт, зыщыдбгъэплъыхьащэрэт!» жызыIэу, куэд щIауэ сызезыхуэхэм ящыщу, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэмкIэ и къудамэм къыщыздеджа, Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм щыпсэуа Уейт Мухьэмэдрэ апхуэ-дэ зэхэзекIуэкIэр гурэ-псэкIэ къыддэзыщтэу сытым щыгъуи къыддекIуэкIа си къуэш нэхъыщIэ Амиррэ. Къумахуэ Амир А тIур абы ипэкIи куэд щIауэ зэрыцIыхурт, ныбжьэгъугъэкIи зэдекIуэкIырт. Сэри си псэм нэхъ къегуэпылIэ а щIалитIым я лъэIур зэрызэщхьыр къызгурыIуэрти, къыкIэлъыкIуэ ежьэгъуэм гъусэ къыщысхуэхъуну селъэIу щIыкIэу, зэрымыщIэу тIуми сащепсэлъы-лIэм, щхьэж и Iуэху бгъэдыхьэкIэ елъытауэ арэзы къыздэхъуахэщ. ЖыпIэнур арамэ, ныбжьэгъугъэкIэ куэд щIауэ къыздекIуэкI Уейт Мухьэмэд зэрытечыгъуафIэр сщIэми, нэхъ «къызэщIэгъэнэн» хуейуэ къэслъытэр си шынэхъыщIэр арати, а Iуэхури, гугъу сызэрыдехьа щымыIэу, къызэхъулIащ. Сыту жыпIэмэ, а лъэхъэнэм си къуэш Амири апхуэдэ дыдэу пэплъэрт икIи щIэхъуэп-сырт щIыуэпсым зэгъусэу «дыщыхэсыхь» хъуну зэманым. Ари и телъхьэт дыкъэзыухъуреихь дунейм гу щыпхуэ зэрыхъуну Iэмалхэр къэгъэсэбэпын зэрыхуейм икIи ящыщт псэуныгъэм зыкъызэттригъэгуплIэ зэщымыщхъуныгъэхэм я нэхъыбапIэм, апхуэдэ щIыкIэм тету, закъебгъэл хъуну къэзылъытэхэм. Мыдрейуэ къыхэзгъэщынщи, сэри сытешыныхьырт а гъэмахуэм, жыжьэ сыIукIыу, зыгъэпсэхуакIуэ-зыплъыхьакIуэ сымыкIуэфынкIэ зэрыхъунум. ИкIи, зы маскъалкIи сымыгъэпщкIуу, сыщыгуфIыкIащ ныбжьэгъумрэ къуэшымрэ езыхэр абы ипэкIэ зэи здэ- щымыIа щIыпIэм си гъусэу ныздытрагъэзэну арэзы зэрытехъуам. Гуп зэгъэуIур сэрати, зэхуэсыпIэ тхуэхъунури къэзгъэлъэгъуащ: Налшык дэт 2-нэ автовокзалым и Iэгъуэблагъэм машинэ нэхъ къыщыбгъэувыIэ хъуну иIэ щIыпIэхэм ящыщ зым, дыздежьэну лъэныкъуэмкIэ гъэзам, и гугъу яхуэсщIащ. ДыщызэIущIэм, Iуэхум тыншу зэрыщIидзэм и нэщэнэу, зилъэфыхь лей къыхэдмыгъэкIыу дызэдежьащ. Гъуэгум и пэщIэдзэм Урыху и зы теплъэгъуэ Налшык дыкъыдэкIащ. Сэмэркъо-гушыIэр къыдэбэкIыу, дыгуфIэжу дыздрижэм, куэд дэмыкIыу Урыху псыхъуэ дынэблэгъащ. Хьэтуейм и къуажапщэ дыдэм декIуэкI федеральнэ трассэм ипщэ лъэныкъуэмкIэ Iут тыкуэнхэм ящыщ зым деж дыкъыщыувыIащ, дызэрыс машинэм и гупэр къуршхэмкIэ гъэзауэ. — НакIуэ! ДыкъыщIежьар зыдгъэпсэхуну, зытплъыхьыну аращи, дэнэ дыкъыщыщIидзми, дыкIуэдынкъым, — къызыпхагъэIукIащ Мухьэмэдрэ Амиррэ. Сэри «мы тIум я гуи я щхьи зэрызэтелъыр слъагъуу, сытым щхьэкIи зислъэфыхьыжын?!» — жысIэри, дызэрыс «гъущIыгур» зэщIэзгъэнэжащ икIи Урыху и ныджэ бгъуфIэшхуэм мыдрыщIымкIэ декIуэкI бжьэпэм зытезыукъуэдия гъуэгу бгъунжым, арыххэти, дытехьащ. Дыргъыпсыр ди гъуазэу Сэнтхыщхьэм трашэщIа машинэ лъагъуэ зыкъизыхым дыздрижэм, ныджэ бгъуфIэшхуэр зи гущапIэ Урыхужь и даущ макъыр, гум къегуэпылIэу, сэмэгурабгъумкIэ къыщыIурт. Махуэм зыкъызэриужьа щымыIэу дыгъэр къулъшыкъупIэм иува къудейми, хьэуар къызэщIэплъати, жыжьэу къэлъагъуэ бгыхэм я аранэ дзакIэжьхэр «зэщIэхъаерт», губгъуэ гъуафэу дызыбгъурыжми хуабаер къыхицыцыкIырт. Дыздэжэм, си гъуситIым яжесIэрт Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ — Аланиемрэ я гъунапкъэр дызыхуэблагъэ осетин жы-лэ цIыкIум и къуажэкIэм зэрыдекIуэкIри, абдеж дыдэм гъунэгъу республикэм и ГИБДД-м щигъэува плъырыпIэм Iутхэм дыкъалъагъуу сэмэгу лъэныкъуэмкIэ зэрытхудэдзыхынури, губгъуэ гъуэгу хъужа машинэ лъагъуэхэмкIэ ныджэм дыдэлъадэу къыщыджыхьыну хуитыныгъэ дызэриIэри. — АрщхьэкIэ, Дыргъыпс къуажэм дынэмысыпэуи тхудэдзыхынущ, фыхуейуэ щытмэ. ДэтхэнэмкIэ едгъэзэкIмэ нэхъ къафщтэрэ? жысIэу защыхуэзгъазэм, си гъусаитIми, зэгурыIуа фIэ-кIа умыщIэну, къыспадзыжащ: — УзыфIэфI дыдэмкIэ! — Сэ нэхъ къыхэсхыр гъунапкъэм деж щетIуэнтIэкIмэщ, — дыщIызгъужащ сэри. — АтIэ дэгъуэкъэ! Апхуэ-дэуи тщIынщ, — зи гугъу сщIыр (сытегузэвыхьми, нэхъ сфIэфIыр) псынщIэу къызыгурыIуа си ныбжьэгъум, си псалъэхэр и кIэм нызимыгъэгъэсу, къыздищтащ. Къуэшри абы арэзы техъуащ. Пэж дыдэу тIэкIуи сышынэрт, «дыкъагъэувыIэу, дыщIэкIуэ-дыздэкIуэхэмкIэ къыдэупщIыну пIэрэ осетин милицэхэр?» — гукIэ жысIэурэ. АрщхьэкIэ, дыщIэгузэвэн лъэпкъ щымыIэу къыщIэкIри, я пащхьэ дыдэм деж щедгъэзэкIащ. Арати, машинэ зекIуапIэ нэхъыщхьэм дыкъытекIащ. Шэрхъ лъагъуэм сэмэгум-кIэ зы мащIэкIэ фIэкIа дримышэкIыу, «хуэшэмэджыпэу» ижьымкIэ зыкъригъэбэжри, уэхым тпыIукIуэтауэ итлъагъуэ жыг гуэрэныбэм дыхуиунэтIащ. Мывалъэ джабэ нэкIум лэдэх щIы- кIэу дыхьэ гъуэгум зэрызыхуедгъэщэтэхыу, Урыхужь и Iуфэм дыкъыIухутащ. АрщхьэкIэ, дыкъыщыщIидзыну зытезухуар зэрыармырам къыхэкIыу, абде-жым дыкъыщыувыIакъым. Ипщэр ди гъуазэу, лъэбакъуэ щитI хуэдиз ди шэрхъхэм зэракIужу, си гъусэхэми зыхащIащ теплъэгъуэу зыкъызыкъуэзыххэмкIэ а лъэныкъуэр зэрынэхъ гурыхь-ри, бжьэпэ кIащхъэм декIуэкI жыг закъуэтIакъуэм я лъабжьэм ущетIысэхынкIэ зэрынэхъ хъуэпсэгъуэри. Нэпкъым къыжьэхэуэкъэ иджы хужыпIэну, гъунэ-гъубзэу псыри щешкIурэхырт. Ауэрэ, хыжьей папщIэрэ псы инапIэу ягъэхьэзыра кумб абрагъуэхэм дакъыпежэкIри, хуей теплъэ зиIэ щыгу зэлъыIухам дилъэдащ. ДыкъызэрыщыувыIэу, си гъусэхэм гу лъезгъэтащ Дыргъыпс къуажэ цIыкIум и нэзым дыкъызэрыфIэкIа- ми, ар зытес бжьэпэм и лъабжьэм дыкъызэрыщIэхутами. — Ди фIэщ хъунтэкъым Мэзылъэ шытхыр Урыхужь и тIуащIэм щызэпитхъым нэсыху щыIэ щIы кIапэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуагъэнауэ, — ягъэщIэгъуащ си гъусаитIми. Абы щыгъуэми, нэгъуазэм къыхузэщIэубыдэм нэхъри драгъэтхьэкъуу, абдеж дыдэм псыри гъунэгъубзэу блэжырт, дакъэжь мафIэ щы-зэщIэтщIэ хъун нэпкъ зэлъыIухам пхъэбгъу зэIузэпэщхэмкIэ щызэщIаIулIа щIэщI дахэкIейри тетт… Жэщхэсынри гукъинэжт … Къыхэгъэщыпхъэр аращи, нэху дыкъыщекIын мурадыр диIэу псышхуэм щхьэщыт бжьэпэм и нэзым дыщепсыхам шэджагъуэ нэужьыфI хъуакIэт. Апхуэдэхэм я деж, сызэрихабзэу, дыкъыщыувыIэ хъуну щIыпIэм зэрызидгъэзэгъэн хуейр зыдэсщIэжырти, си гъусэхэм селъэIуащ (унафи щахуэсщI къыхэкIыу), лэгъупыIэмпIэхэри псынщIэу зэдыфIэтщIэу, щIыуэпсым хуэщIа чэтэн унэ цIыкIум и зэфIэгъэувэнми дыхуеужьэрэкIыну. Тхьэм щхьэкIэ, щхьэж хулъэкIымкIэ дызэдэIэпыкъужурэ абыи дыхунэсащ, мафIэри зэщIэдгъэстащ. АрщхьэкIэ, иужьрейм и бзийхэр мащIэу къызэщIэнэхуа фIэкIа, ерыскъы ирибгъэхьэ-зырыфын хуэдизу къызэрызэщIэплъа щыIэтэкъыми, щхьэ трапIэну зыхунэмыса щIэщIым и кум щызэпкъраIулIа Iэнэ бгъуфIэшхуэм тыншу зыпэрыдгъэзагъэри, къыздетшэжьа ерыскъыгъуэхэмкIэ дыщызэIурыуащ. ИтIани, пIалъэ-пIалъэкIэрэ дыкъэтэджурэ, мафIэр къытхуеджэгуэкIми, пхъэ гуэрхэр пэрытлъхьэрт, шей зыщIэдгъэвыкIыну псы пщтырри лэгъуп цIыкIуу къыздетшэжьамкIэ къридгъэкъуалъэрт… Ауэрэ дыгъэри къухьащ, мафIэу къытхуеплъэкIри дэп плъыр-жьэру зэщIэплъащ, и бзий зэщIэпщIыпщIэхэмкIэ гъуэлъыжыным гъунэгъу хуэхъуа дэ къыдэгуэпылIэрэ дызэIэбыну мащIэри къытхузэщIигъэнахуэу. АрщхьэкIэ, телъыджэр аракъэ, си гъусаитIым абдежым къащыпкърыхьа нэжэгужагъэр апхуэдизу къебэкIырти, а щIыпIэм жэщ зэрыщрахыну щIыкIэм зэрегупсыс щыIэтэкъым, къызэрызыпхагъэIукIымкIи, къапэщIэхуа дыдэм деж зыщагъэукIуриями ягъэ кIынутэкъым. А тIум апхуэдэ я Iуэху бгъэдыхьэкIэр къызыхэкIар, иужьым къызэрызгубзыгъыжамкIэ, Iуэхушхуэт: дин еджагъэшхуэхэм къызэраIуатэуи, ди Щхьэщыгу Итым къыбгъэдэкIауэ къалъытэ тхыгъэ цIэрыIуэхэм зэрыратхауи, Тхьэшхуэм дежкIэ нэхъ лъапIэр цIыхум, щичэзуи-щимычэзуи, япэ иригъэщ пIейтеиныгъэ-гумызагъагъэракъым, атIэ, сыт хуэдэ щытыкIэ ар ихуами, зрихьэлIар зригъэщIэгъуэкIрэ абы папщIэкIи Тхьэшхуэм фIыщIэ хуищIу, и гум илъын хуей гу щабагъэрщ, IэфIагъэрщ, абы къыдэкIуэуи, КъэщIыгъэм и сыт хуэдэ меданми хуиIэн хуей фIылъагъуныгъэр зыхищIэнырщ, къигъэлъэгъуэнырщ. Ауэ щыхъукIи, схужыIэнущ си гъусахэм апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ зэраIар а лъэхъэнэм къагъэнэIуауэ. АрщхьэкIэ, щIыуэпсым и пIалъэр сэ сщIэжыртэкъэ? Пщыхьэщхьэпэм хьэуар иджыри зэщIэупщIыIуэжыну зэрыхунэмысам къыхэкIыу, жэщри апхуэдэу къахущIэкIын я гугъэу цIыхухэр щыбэлэрыгъ куэдрэ къэхъурт. ИтIани, а тIум афIэкIа я гугъу сымыщIу, дызыпэ-рыс Iэнэм сыкъыпэрытэджыкIырти, гуп цIыкIур гъуэлъыжыным хуэзгъэхьэзырырт. А псом къадэкIуэуи сакъыбгъэдэтIысхьэжырти, дызыгъэгушхуэ-дызыгъэгуфIэ хъыбархэр зэхуэтIуатэурэ, дыхьэшхыным дыкъыдэмыхуэу, ешри езэшри къытпкърыхьарэ ди нэхэри зэтепщIэху Iэнэ бгъуфIэшхуэм дыпэрысыжри, нэху дыкъызэрыщекIынум хуэдэу, «щхьэж и унэ бжэнлъакъуэу» дызэбгрыкIащ… Сигу зыгъэзагъэр арати, къыттеуэн гуэри зэрыщымыIэр нэхъри си фIэщ ящIу, зи лъабжьэ дыщетIысэха бжьэпэм нэхъ пыIукIуэтауэ уэздыгъэ зыбжанэ къыщыблэрт. Шэч къытесхьэжыртэкъым ахэр зейр Дыргъыпс къуажэм щыпсэухэр зэрыарами. Лэскэн и псыхъуэми дыщепсыхыу КъыкIэлъыкIуэ махуэм и зыкъэIэтыгъуэм а щIыпIэм дримыгъэзагъэу дыкъыIузыгъэкIыжар си ныбжьэгъужь Уейт Мухьэмэдщ. ЗэрысщIэжрэ, ар ящыщт зы щIыпIэм деж зыщримылъэфыхьу, адэкIэ еIэпхъуэкIын зи щIасэхэм. Дэри, «Узыхэтым уадемыкIумэ, уи унэ умыкIуэж» жыхуаIэр арати, гъусэ нэхъыжьым жиIэм дедэIуащ, абы хэтуи, зыкъызэщIэкъуэжыным щIэддзащ. АрщхьэкIэ, нэрылъагъут си къуэш Амири сэри щIыуэпсым хэсыхьынкIэ дызэрыримыкъущар. Езы Уейтми къызыпхигъэIукIырт: «Мо псышхуэр моуэ тIэкIу нэхъ хуабэу щытамэ, мыбдежым зыщитлъэфыхьыжынкIэри хэлът». Ар зэхэзыха сэ зыкъызэкъуэсхри: — АтIэ, арамэ щхьэусыгъуэр, дыкъыздикIамкIэ идоунэтIыкIыжри, Къумахуэхэ зэкъуэшитIыр дызыщыщ жылэми дыхуеплъэкIыу, Лэскэн ныджэм дыкъыщоувыIэ. НэгъуэщI мыхъуми, и хуабагъкIи, и къабзагъкIи зихуэдэ щымыIэ псы гурыхь цIыкIуу ди сабиигъуэр щитхам зыщыдгъэпскIынщ, — жысIащ. — АтIэ, апхуэдэу щыхъуакIэ, мы щIыпIэм зыщIитлъэфыхьыжын щымыIэу аращи, зидвгъэч! — арэзы хъуащ тIури. Псэр зыгъэтынш хъухъущыщу жэщ кIуам дызыщIэжеикIар къызыдэIукI псыхъуэ бгъуфIэшхуэм дыкъызэрыдэкIыжар дызэрыдыхьам хуэмыдэу, нэхъ хуэегъэзыхыгъуэу дыкъызыблэкIауэ щыта дэлъэдапIэмкIэщ, мывэ кIэщхъыу къыщызэкIэщIигъэщэщхэр фIэщIэщыгъуэу, джабащхьэм декIуэкI гъуэгум къызэрытехутэжар гъущIыш цIыкIум «игъэщIагъуэу». Арати, сытым щхьэкIэ зэман куэд едгъэхьыжынт, машинэ лъэрызехьэ цIы-кIум дису? НапIэзыпIэщ дэкIар хужытIэну, къуажэхэу Хьэтууеи Анзореи къызэднэкIри, Лэскэн псым телъ лъэмыжым дыкъызэпры-жыжащ. Абдежым къыщызгъэувыIэри, си гъусаитIым захуэзгъэзащ: «Фыхуеймэ, Анзорей ЦIыкIу (Лэскэн ЕтIуанэ) къуажэр здэщыс щIыпIэм нэс дыдэжеинщи, абдежым зыкъыщытплъыхьынщ, «Хьэуэ, абыхэмкIи зыкъыщыдгъэзэн хуэдэу хущIыхьэгъуэ диIэжкъым», — жыфIэмэ, мы псы хуабэ цIыкIуращ нэхъыбэу дэ иджыпсту нэхъ дызыхуэныкъуэри, ищхъэрэкIэ едгъэзыхынщи (абыкIэ екIуэлIапIэ-егъэзыпIэхэр зэриIэм сыщыгъуазэт), абдежым фигу пэщыху зыщывэзгъэгъэпсэхунщ. «Хъуакъэ, атIэ, апхуэдэуи тщIынщ», — жаIэу мо тIум къыщыздащтэм, тэлай фIэкIа нэхъ дэмыкIыу, ныджэ бгъуфIэшхуэм декIуэкI бжьэпэ мащIэм дыщхьэщыхутащ. ДызэщIэдэIукIрэ зыщытплъыхьмэ, псы къабзэ цIыкIум Iущащэу уэрэд къытхуреш, и ткIуэпс зэтепщIыпщIыкIыр дыгъэм и бзийм дэджэгужрэ, зэрыхузэфIэкIкIэ къыдэгуэпылIэу, и Iуфэ дыдэм пцIащхъуэу щетIысэхахэм зыхаутхыныпщIэу. Абдежым дыкъыщыплъэгъуамэ, сыт тхужыпIэнт? Гуп цIыкIум, къыхэкIыжыкIэ дымыщIэрэ дитхьэкъупауэ, зыщыдгъэпскIащ мо псы гурыхьым. Си ныбжьэгъужьу Уейт Мухьэмэд иужькIэ куэдрэ игу къигъэкIыжырт: «Псом хуэмыдэжу а Iуэхур зи псэм нэхъ щIыдыхьар уи къуэшрат. Абы а махуэм зы гуфIэкIэ зэрихьэрти! И лъапсэжь къихьэжа фIэкIа пщIэнтэкъым, щалъхуа и къуажэм худэплъейрэ, «жэнэту» зэрыхуам зыщимыгъэнщIыжу… Тхыгъэри сурэтхэри Къумахуэ Аслъэн ейщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101376.txt" }
Бзылъхугъэм и бзэкIэ бзылъхугъэм теухуауэ Шэшэн Республикэм и къалащхьэ Грознэм жэпуэгъуэм и 25 — 28-хэм щекIуэкIащ Урысейпсо щIэныгъэ конференц: «Бзылъхугъэм и бзэкIэ бзылъхугъэм теухуауэ: муслъымэн цIыхубзыр унагъуэмрэ цIыхубэ гъащIэмрэ зэрыхэтыр». КъБР-м къыбгъэдэкIыу конференцым хэлэжьыхьащ республикэм и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Амщыкъуэ Анжелэ, Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и учебно-методическэ кабинетым и унафэщI Къумыкъу Светланэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Шэшэн Республикэм и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и нэIэ щIэту екIуэкIа зэIущIэр щызэхэтащ Кишиев Кунтэ-хьэжы и цIэр зезыхьэ Урысей ислъам университетым. Конференцым хэтыну ирагъэблэгъат Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ щыIэ дин IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, егъэджэныгъэмрэ медицинэмрэ епха IэщIагъэ зиIэ бзылъхугъэхэр, муслъымэн щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэрагъэгъуэт еджапIэхэм я унафэщIхэр. Къызэхуэсахэр телэжьыхьащ къэралым и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм щыщ дин лэжьакIуэхэр я ехъулIэныгъэхэмкIэ, лэжьыгъэм зэрыбгъэдыхьэ IэмалхэмкIэ зэхъуэжэн Iуэхум, унагъуэр быдэ хъун папщIэ диныр къэгъэсэбэпа зэрыхъу бгъэдыхьэкIэхэм щытепсэлъыхьащ. ЗэIущIэм къекIуэлIахэм фIэхъус сэламкIэ зыкъыхуагъэзащ Урысей ислъам университетым и ректор Мутушев Абдурэхьим, республикэм и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан и лIыкIуэ, Шэшэн Республикэм и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я администрацэм и унафэщI Таймасханов Галас, муфтий Межиев Сэлахь и къуэдзэ Хабзиев Арби сымэ, нэгъуэщIхэми. Ислъамым цIыхубзым щиубыд увыпIэм, ар нобэрей гъащIэм зэрыхэтым, жьэгу пащхьэр хъума хъун папщIэ диныр дэIэпыкъуэгъу зэрыхъум, къинэмыщIхэм щытепсэлъыхьащ зи гугъу тщIы зэхуэсышхуэм, икIи ар иуха нэужь, игъэзэщIа лэжьыгъэр къызыхэщ резолюцэ къащтащ. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101384.txt" }
Къалэн куэд щызэфIах къулыкъущIапIэ УФ-м и Президентым 2009 гъэм къыдигъэкIа «Суд приставхэм я махуэр гъэувыным теухуауэ» указым ипкъ иткIэ щэкIуэгъуэм и 1-м ягъэлъапIэ Урысей Федерацэм и Суд приставхэм я махуэр. Абы ирихьэлIэу зыхуэдгъэзащ Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Суд пристав нэхъыщхьэ Бауаев Ахъмэт. — Суд приставхэм я IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэси 156-рэ ирокъу, — жиIащ абы. — А зэманым къриубыдэу наIуэ хъуащ абы и мыхьэнэр зыхуэдэри къэралри цIыхухэри зыхуэныкъуэ IэнатIэу зэрыщытри. УФ-м и Президентым 2004 гъэм къищта «Суд приставхэм я федеральнэ IэнатIэм и IуэхукIэ» унафэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, ар ЮстицэмкIэ министерствэм и нэIэм щIэт, гъэзэщIакIуэ властым и къэрал органщ. IэнатIэм и зыужьыныгъэм тхыдэ мыхьэнэшхуэ иIэу къыхэбгъэщ хъунущ ведомствэр хабзэм къахуигъэувар хэгъэзыхьыгъэкIэ зыгъэзащIэ органу зэрахъуэжар. 2019 гъэм къыдагъэкIа «Урысей Федерацэм хабзэм къахуигъэувар хэгъэзыхьыгъэкIэ зыгъэзащIэ и органхэм къулыкъу щыщIэным теухуауэ» федеральнэ законым IэнатIэм хабзэщIэхэр къыхуигъэуващ, абы ипкъ иткIэ лэжьакIуэхэм я къалэнми хэхъуащ, езыхэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэри ефIэкIуащ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэм цIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ къалэныщIэхэр къытхуегъэув. Нобэ Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм щIыналъэм къудамэ 14 щиIэщ, ахэр республикэм и район псоми щолажьэ. — Ахъмэт, IуэхущIапIэм и къалэнхэм нэхъ зыхэхауэ утезгъэпсэлъыхьынут. — Ди лэжьыгъэр нэхъыбэм къазэрыщыхъур цIыхухэм ятелъ къуэдыхэмрэ алиментхэмрэ къыхэхыным хуэунэтIауэщ. Пэжыр жыпIэмэ, куэд щыгъуазэкъым суд приставхэм нэгъуэщI къалэн куэди я пщэ зэрыдэлъым. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, суд щащIэкIэ хабзэхэр къызэпемыгъэудыным кIэлъыплъыныр, жэуаптакIуэхэр, балигъыпIэ имыува сабийхэр къэлъыхъуэныр, шынагъуэу къалъыта объектхэм я лэжьыгъэр къызэтегъэувыIэныр, хабзэм къемызэгъыу ящIа ухуэныгъэхэр Iуегъэхыжыныр, нэгъуэщIхэри. Ди лэжьакIуэхэр я къулыкъукIэ зэщхьэщокI: гъэзэщIакIуэ-приставхэр, судыр зэрекIуэкIыну хабзэхэм кIэлъыплъ приставхэр, дознавателхэр. Хабзэм и къарур зэлъытыжар ар зэрагъэзащIэрщ. Дэ абы дыхущIокъу. Дэтхэнэ зы унэтIыныгъэм хуэдэуи, гугъуехь гуэрхэми дрохьэлIэ икIи ахэр псынщIэу зэрызэфIэдгъэкIынум ди къару псори идохьэлIэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ цIыхухэм дадэлэжьыну сытым дежи дызэрыхьэзырыр. Зыкъызэрытхуагъазэ сыт хуэдэ Iуэхури гулъытэншэу къэдгъанэркъым. Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум жыджэру зеужь. Иджырей технологиехэр IэнатIэм къыщыдогъэсэбэп, ди гупым и лэжьыгъэр хуэунэтIащ цIыхухэр къахуэарэзыуэ я къалэныр зэрагъэзэщIэнум. — Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум щылэжьэнухэр дауэ къызэрыхэфхыр? — Лэжьыгъэм узэрехъулIэнур куэдкIэ елъытащ IэнатIэм пэрыт цIыхухэм я зэфIэкIым. Сыт хуэдэ зэманми суд приставхэм я лэжьыгъэм щIэупщIэ иIащ, абы къыхэкIыуи Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэм хуэныкъуэщ. Аращи, лэжьакIуэхэр къыщыхэтхкIэ жэуаплыныгъэ хэлъу дыбгъэдохьэ, абы теухуа хабзэ щхьэхуэ щыIэщи, дытетщ. ЛэжьапIэ увыну хуей дэтхэнэ зыми и зэфIэкIыр Iуэхугъуэ зыбжанэкIэ къапщы- тэ: къэрал хабзэр, бзэр зэрищIэр, и къарукIи и псэкIи и узыншагъэр зыхуэдэр. IэнатIэм къащтэнущ зи ныбжьыр илъэс 21-рэ ирикъуа, а унэтIыныгъэмкIэ зыхуэныкъуэ щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ зэфIэкIрэ зиIэхэр. Илъэс 40 хъуахэр къащтэжыркъым. IэнатIэм пэрыувэн ипэ, зэрагъэунэху пIалъэ щыIэщи, зы мазэм щегъэжьауэ мазихкIэ лэжьыгъэм зэрыпэлъэщым кIэлъыплъынущ. Ар Iуэхум и пIалъэ фIыуэ зыщIэ IэщIагъэлIым и нэIэм щIэту ирихьэкIынущ. Абы ехъулIэмэ, звание щхьэхуэ къратынурэ IэнатIэм пэрыувэнущ. Зи лэжьыгъэм къыщыхэжаныкIхэри гулъытэншэу къанэркъым. Абыхэм хуагъэфащэ «За верность долгу», «За заслуги», «За службу» медалхэр, «Суд приставхэм я федеральнэ IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» щIыхьыцIэр, «Суд пристав-гъэзэщIакIуэ нэхъыфI», «Судыр щекIуэкIкIэ хабзэр къызэпамыуду Iуэхур къызэгъэпэщынымкIэ суд пристав нэхъыфI», «Дознаватель нэхъыфI» бгъэхэIу дамыгъэхэр. Апхуэдэуи ахъшэ саугъэтхэмкIэ, фIыщIэ тхылъхэмкIэ, тыгъэ лъапIэхэмкIэ ягъэпажэ. КъищынэмыщIауэ, ди лэжьакIуэхэм улахуэ хъарзынэ къахь, абы зэрылэжьа илъэс бжыгъэм, звание иIэм, нэгъуэщIхэми елъытауэ хохъуэ. Илъэсым зэ зыгъэпсэхугъуэ пIалъэ яIэщ, я щыгъынхэмкIэ къызыдогъэпэщ, санаторэ зэрыкIуэну тхылъхэр ядот. Апхуэдэу илъэси 10-кIэ къулыкъум пэрытахэм унэ иратынущ, илъэс 20-кIэ лажьэмэ, пенсэ ягъэкIуэнущ. — Дызэрызэпсалъэр къэбгъэсэбэпу фи лэжьакIуэхэм, щIэджыкIакIуэхэм сыткIэ захуэбгъэзэнт? — Си лэжьэгъухэм, IэнатIэм и ветеранхэм Суд приставым и махуэмкIэ сохъуэхъу. Узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, зэIузэпэщ псэукIэ яIэу я гъащIэр ирахьэкIыну си гуапэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм захуэзгъазэу жысIэну сыхуейт Суд приставхэм я IэнатIэр фи хуитыныгъэхэр хъумэным и щхьэщыжакIуэу зэрыщытыр. Дэ цIыхухэм дадоIэпыкъу захуагъэр къыщIэгъэщыжынымкIэ, зэфIэгъэувэжынымкIэ. УФССП-м и управленэу КъБР-м щыIэм и гупыр хьэзырщ я лэжьыгъэр ирагъэфIэкIуэным я къару псори ирахьэлIэну. Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101387.txt" }
Мазибгъум кърикIуахэр къапщытэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм хэтхэм я зэIу- щIэ иригъэкIуэкIащ. Абы къыщапщытащ блэкIа мазибгъум республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэр. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий зэрыжиIамкIэ, 2021 гъэм и щIышылэ-фокIадэ мазэхэм республикэм хьэпшыпу кърашахэр, Iуэхуу щызэфIагъэкIахэр, Iуэхутхьэбзэу щащIахэр сом мелард 38-рэ и уасэ мэхъу, къыщIагъэкIа ерыскъыхэм я индексыр процент 88,2-рэ ирикъуащ. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу хуагъэфэща бжыгъэм хуэдиз къитакъым мэкъумэш IэнатIэм. Ар къызыхэкIар дунейм и щыты-кIэм гъавэ къехьэлIэжыгъуэр зэригъэкIэсарщ. Мылъку нэхъыщхьэм халъхьа инвестицэр нэхъыбэ хъуащ, блэкIа пIалъэм еплъытмэ, сату Iуэхум епха хьэрычэтри процент 13-кIэ хэхъуащ. Туристхэм пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэхэм къата хэхъуэр сом меларди 6-м нэсащ, ар нэгъабэ и иджы хуэдэ пIалъэм еплъытмэ, хуэдэ 1,4-кIэ нэхъыбэщ. КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ къызэрыхигъэщамкIэ, КъБР-м и бюджет зэхэлъыр щIышылэ-фокIадэ мазэхэм сом мелард 38,8-рэ хъуащ, ар къапэщылъ планым и процент 77-рэ мэхъу. Нэгъабэ еплъытмэ, хэхъуэр проценти 106,7-м нэсащ. Бюджет зэхэлъым и налог, налогым щымыщ хэхъуэу иIар 2020 гъэм елъытауэ сом мелард 1,4-кIэ нэхъыбэщ, проценти 113-кIэ дэкIуеящ. Бюджет зэхэлъым щыщу къагъэсэбэпынур сом мелард 55-рэ мэхъу, жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу абы щыщу сом мелард 37-р къагъэсэбэпащ, ар планым и процент 67,5-рэ мэхъу. ПсэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэмрэ хухахар ахъшэм и процент 74,4-рэщ. 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу бюджет зэхэлъым щыщ къэрал щIыхуэр сом меларди 7,5-рэ мэхъу. Къэрал щIыхуэм щхьэщатыкI ахъшэр нэгъабэрейм елъытауэ процент 32,9-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. КIуэкIуэ Казбек Правительствэм хэтхэм гу лъаригъэтащ 2021 гъэм республикэм телъ ахъшэ щIыхуэм зыри къызэрыхимыгъэхъуэнум. «Ар ди пщэрылъхэм щыщ гуэр дымыгъэзащIэу къыдэдгъэхуэну аракъым, атIэ ди хэхъуэр нэхъыбэ зэрыхъуамрэ зэрызэдгъэзахуэмрэ къыпэкIуэну аращ. Абы къищынэмыщIауэ, бюджет кредитхэр зэдгъэ-пэщыжкIэрэ къэрал щIыхуэу ттелъыр дгъэмащIэфынущ. Ар эпидемие щытыкIэ гугъум дит пэтми, тхузэфIэкIынущ», — жиIащ КIуэкIуэм. Дохъушокъуэ Синэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101390.txt" }
5:0-м ипIэкIэ 1:1-уэ «Спартак-Налшык» (Налшык) — «ТIуапсы» (ТIуапсы) — 1:1 (1:1). Налшык. «Спартак» стадион. ЩэкIуэгъуэм и 5-м. Судьяхэр: Смирнов (Кисловодск), Харченкэ, Новиков (тIури Дон Iус Ростов). «Спартак-Налшык»: Къардэн, Шумахуэ, Ольмезов, КIэдыкIуей, Сындыку, Дэхъу (Торосян, 46), Хьэшыр, Жангуразов (Бажэ, 75), Черткоев (Ульбашев, 81), Бэчбо, ЛIуп. «ТIуапсы»: Тимофеев, Запорожцев, Никулин (Макаров, 24), Кабулов, Кошелев, Деметрадзе, Тюфяков, Андриевский, Руденкэ, Еркин, Пацекин (Евстигнеев, 67). Топхэр дагъэкIащ: Хьэшырым, 13 (1:0). Еркиным, 23 (1:1). Дагъуэ къыхуащIащ Бэчбомрэ Черткоевымрэ. Джэгум къыхахуащ Деметрадзе. (16-нэ дакъикъэм). Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу мэрем блэкIам «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъащ «ТIуапсы»-р. Командэхэм жыджэру джэгур къыщIадзащ. ЗэпэщIэтыныгъэр напIэзыпIэм зы лъэныкъуэмкIэ къикIыурэ адрейм къыщыхутэрт. Дэтхэнэри хущIэкъурт псынщIэу бжыгъэр къызэIуихыу тепщэныгъэр иубыдыну. Апхуэдэ Iэмал япэу къызыхуихуар хэгъэрейхэрщ. Еханэ дакъикъэр екIуэкIыу Хьэшыр Алан къыхита топыр штраф-нойм ит КIэдыкIуей Хьэким къыIэрыхьащ. Иужьыр лъэщу зэуа топыр хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым къищтащ. Куэд дэмыкIыу ди щIалэхэм къыхата угловойм «Спартак-Налшыкыр» япэ иригъэщыфыну щытащ. Штрафнойм иту топыр къызыIэрыхьа Ольмезовыр лъэщу гъуэмкIэ еуащ. Гъуащхьэтетым IэщIэкIа топыр гъуэм дэт «ТIуапсы»-м и футболистхэм ящыщ зым и лъакъуэм техуэри къигъэлъеижащ. ИкIэм-икIэжым, хэгъэрейхэм я гугъуехьым ехъулIэныгъэ къахуихьащ. ЕпщыкIущанэ дакъикъэр екIуэкIыу налшыкдэсхэм я къыкIэлъыкIуэ ебгъэрыкIуэныгъэм хэту ди щIалэхэр зэуа топыр тIуапсыдэсхэм я гъуащхьэтетым и пащхьэм деж къыщригъэгъэзащ. Абы япэу нэсу кIэлъеуэжа Хьэшыр Алан и командэр япэ иригъэщащ — 1:0. ПсынщIэу бжыгъэр къызэрызэIуихам «Спартак-Налшыкым» нэхъри жыджэрагъ къыхилъхьащ — зэпыу имыIэу хьэщIэхэм я гъуэм ар ебгъэрыкIуэрт. Абыхэм ящыщ зым топыр зыIыгъыу япэ иту жэ ди щIалэм лъэщIэмыхьэ Демитрадзе хабзэр къызэпиуду фIэкIа ебгъэрыкIуэр къыхуэгъэувыIакъым. Арати, хьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэр джэгум къыхахуащ. Нэхъ мащIэу къэна «ТIуапсым» и къару псори зыхуиутIыпщар зыхъумэжыныгъэращ. Джэгур псори щекIуэкIыр абыхэм я лъэныкъуэрат. Щхьэзакъуэ тепщэныгъэр къызыIэрыхьа налшыкдэсхэр зэрыкомандэу я хьэрхуэрэгъухэм я дежкIэ кIуэтат. Апхуэдиз Iэмал ди щIалэхэм къахукъуэкIати, 5:0-у япэ ищыфын хуеящ. АрщхьэкIэ бжыгъэр гъэбэгъуэным зи нэр къыщхьэрипхъуа «Спартак-Налшыкым» набдзэгубдзаплъагъэр фIэкIуэдащ. Ар псынщIэ дыдэу къагъэсэбэпащ хьэщIэхэм. «ТIуапсы»-м къызэригъэпэща контратакэ псынщIэм хэту топыр къыIэрыхьащ Еркиным. Налшыкдэсхэм я штрафнойм имыхьэ щIыкIэ ар лъэщу зэуа топым ди гъуащхьэтет Къардэн Имран хуэхьэзыртэкъым — 1:1. Бжыгъэр зэхуэдэ хъужа нэужь щытыкIэр я IэмыщIэм иралъхьэжащ хэгъэрейхэм. Дакъикъэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу Хьэшырым IэмалыфI дыдэ къыхукъуэкIат, арщхьэкIэ ар зэуа топыр хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым угловойм игъэкIуащ. Япэ Iыхьэр имыух щIыкIэ «Спартак-Налшыкым» бжыгъэр игъэбэгъуэну иджыри Iэмал куэд иIащ, арщхьэкIэ дэтхэнэ зы топри гъуэм зымащIэкIэ блэлъэтырт. ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэри япэм и кIэухым къыпищэу къыщIидзэжащ — хэгъэрейхэр ебгъэрыкIуэрт, хьэщIэхэм захъумэжырт. Джэгум зэрыщIидзэжрэ дакъикъэ зыбжанэ фIэкIа дэмыкIауэ Черткоевыр зэуа топыр гъуэм щхьэпрылъэтащ. Абы къыкIэлъыкIуэу штрафнойм щихьэм лъэщу еуащ, аргуэрыр сантиметр бжыгъэкIэ штангэм блэлъэтащ. АдэкIи зэкIэлъхьэужьу зыбжанэрэ топ дагъэкIыну Iэмал къахукъуэкIащ Ольмезовым, Хьэшырым, Жангуразовым, ауэ дэтхэнэ зыми ар къехъулIакъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ командэхэр зэрытемыгъэкIуауэ, япэ Iыхьэм щыдагъэкIа топитIым къыхамыгъэхъуэфауэ, зэпэщIэтыныгъэр иухащ. ЕпщыкIущанэ джэгугъуэм и адрей зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къарикIуащ: «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — «Черноморец» (Новоросийск) — 2:2, «Легион-Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «Динамо» (Ставрополь) — 0:0, «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — СКА (Дон Iус Ростов) 0:2, «Чайка» (Песчанокопскэ) — «Ротор-2» (Волгоград) — 3:1, «Дружба» (Майкъуапэ) — «Форте» (Таганрог) — 1:2. КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» Ставрополь щригъэкIуэкIынущ. ЩэкIуэгъуэм и 13-м ар IущIэнущ абы и «Динамо»-м. Жыласэ Замир.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101393.txt" }
КIуэдыжыпэнкIэ шынагъуэ Къурш бжэныр зэ зылъэгъуам абы и теплъэр щыгъупщэжынкъым. Езыр инкъым, и лъагагъыр сантиметр 65 — 70-м, и кIыхьагъыр сантиметри 125 — 135-м, и хьэлъагъыр килограмм 32 — 36-м нос. И пкъым зыри лейуэ кIэрылъкъым. ЦIыхур дэзыхьэхыу, и дахагъэр иригъэгъэщIэгъуэн папщIэ къигъэщIа хуэдэщ ар. Къурш бжэныр хуабжьу щтэIэщтаблэщ, цIыхухэми нэгъуэщI псэущхьэхэми гъунэгъу захуищIыркъым. Ар къызыхэкIыр и бийхэм зэрапэувыфын Iэмал зэрыбгъэдэмылъырщ. И гъащIэр бгыщхьэхэм нэхъ щегъакIуэ, и фIалъэхэм я быдагъми Iэмал кърет мывалъэхэм хуиту къыщижы- хьыну. КъызэрыфIэIуэхущэ щымыIэу, метри 5 — 7 зи бгъуагъ бгы зэгуэзыпIэхэр тыншу къызэренэкIыф. Хуабжьу зэрысакъым къыхэкIкIэ, гурыщхъуэ зыхуищIын гуэр гъунэгъу къызэрыхуэхъуу, фий макъ ину къегъэIу. ЩIымахуэм тафэм къох, гъэмахуэм къуршым йохьэж. Мы псэущхьэм дэтхэнэ зы бгылъэ щIыпIэми ущрихьэлIэркъым, адэкIэ-мыдэкIэ гуп-гуп цIыкIухэурэ щыхэгуэшащ. И шхыныгъуэр удзхэмрэ къуацэ-чыцэхэмрэщ. Къурш бжэнхэр илъэс 15 — 18 хъуху псэун хуейуэ хуагъэфащэ, арщхьэкIэ ахэр куэдкIэ нэхъ пасэу яукI — цIыхухэмрэ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ яIэщIокIуадэ. Ди бгылъэ щIыпIэхэм мы псэущхьэр япэ зэманхэм куэ- ду ису щытамэ, иджы щымащIэщ. Дахуэмысакъмэ, къэнэжа тIэкIури кIуэдыжыпэныр зыми хуэIуакъым. АБАЗОКЪУЭ Ахьмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101396.txt" }
Хьэмырзэ Ахьмэд: ЗгъэзэщIа ролхэр сщыщ Iыхьэ хъуащ Нобэ ди псэлъэгъущ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист Хьэмырзэ Ахьмэд. — Ахьмэд, мы гъэм фызэлэжьхэм я гугъу къытхуэпщIамэ ди гуапэт. — Къапщтэмэ, зы илъэси дэкIыркъым спектаклыщIэу плIы, тху дымыгъэуву, ауэ мы гъэм театреплъхэр нэхъыбэкIэ дгъэгуфIэну дыхуейщ. Ди режиссёрхэм ягъэувми, нэгъуэщI щIыпIэ режиссёр кърашми, ди лэжьыгъэр театреплъым щIэщыгъуэ зэращытщIыным и Iуэху зыдохуэ. — Сыт хуэдэ а спектаклхэр? — Москва дэт, Щукиным и цIэр зезыхьэ театр институтыр къэзыухыу къэзыгъэзэжа ди щIалэгъуалэм я егъэджакIуэ Дубровская Аннэ къакIуэри, спектакль гъэщIэгъуэн дгъэуващ, Островский Александр и «Таланты и поклонники» пьесэм къытращIыкIауэ. Артист щIалэхэри нэхъыжьхэри хэтщ абы. Езы пьесэри ныбжькIэ гуэшауэ цIыху куэд зыхэт спектаклышхуэщ. Ар фIы дыдэу гъэува хъуауэ къызолъытэ. Утыку къызэритхьэри куэд щIакъым. Абы нэмыщIауэ, дыдэлэжьащ Осетие Ищхъэрэ — Аланием щыщ режиссёр щIалэ Джелиев Казбек. Абы игъэуващ Булгаков Михаил и пьесэм къытращIыкIа спектаклыр, ар «Иван Васильевич меняет профессию» фильмуи щыIэщ, Гайдай Леонид трихауэ. Спектаклым хэт дэтхэнэ артистри иджыри къэс гу зылъыдмыта джэгукIэ хьэлэмэтыщэ къигъэлъагъуэу мэджэгу. Абы нэмыщI, американ драматург Нэш Ричард и «Уэшх зыщэ» пьесэм къытращIыкIауэ, илъэс тIощIырыпщI ипэкIэ ягъэувауэ, щIэупщIэшхуи зиIауэ щыта спектаклыр къыдогъэщIэрэщIэж. — Ахьмэд, актёр IэщIагъэр дауэ къыхэпха хъуат? — IэщIагъэ схуэхъунум сэ куэдрэ сегупсысакъым. Ар си хъуэпсапIэу къекIуэкIырти, дзэм къулыкъу щысщIэщ, къэзгъэзэжри, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ и институтым актёр IэщIагъэм сыхуеджэну сыщIэтIысхьащ. Ар къыщызуха 1991 гъэм ди театрым лэжьэн щыщIэздзащ. Дэтхэнэ IэщIагъэми и пщIэр зыIэтыр а IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу, зи псэм хэлъ абы и лэжьакIуэрщ. Артист псалъэм и мыхьэнэр сыт хуэдэ бзэкIэ зэпкърытхми, абы къикIыр утыкуакIуэщ. Адыгэбзэжь дыдэмкIэ дыIэбэнщи — хьэтиякIуэщ. Сэ мыпхуэдэу согупсыс: актёру ущыщытым деж, нэгъуэщI цIыхум и пIэм уиувэфыныр, абы и гъащIэр къэбгъэщIэфыныр Iэмал имыIэу къохъулIэн хуейщ. Ар уи лэжьыгъэу щыщыткIэ, бгъэзащIэ ролым нэгъэсауэ ухуэфащэу ущытыпхъэщ. Утыкум укъыхуигъэщIамэ, абы ехьэлIа гупсысэм зэи уиутIыпщын хуейкъым. Уи дуней зыхэщIэкIэр зы лъагапIэ гуэрым щынэсам деж, лэжьыгъэр фIыуэ умылъагъумэ, абы убгъэдэтыжыфынукъым. — БгъэзэщIа ролхэм ящыщу нэхъ гукъинэж пщыхъуахэм я гугъу уэзгъэщIынут. — «Хэхауэ мыр нэхъ гунэс сщыхъуащ» схужыIэнукъым. ЗгъэзэщIа ролхэр сщыщ Iыхьэ хъуащ. Ауэ, ролхэр зэхуэдэу фIыуэ плъагъуми, абы къикIыркъым псори зэхуэдэу къохъулIауэ. Сахэдэу сценэм зыгуэр щызгъэзэщIэжын хуей хъужыкъуэмэ, си фIэщ хъуртэкъым Нало Заур и «IэфIынэ и нэ фIыцIитIым» хэта Албэч и ролыр япэ измыгъэщыну. IэфIынэ сабийуэ псым къыхэзыхыжауэ щыта Албэч лъагъуныгъэ хуищIри, балигъыпIэм иувэхукIэ а гурыщIэр къыздрихьэкIащ. Албэч IэфIынэ хуищIа лъагъуныгъэм апхуэдизкIэ дзыхь трищIэртэкъыми, лъэбакъуэ лей счырэ сызыщымыгугъа пхъашагъэ гуэр кърикIуэмэ, жиIэу тегузэвыхьырт. А ролыр щызгъэзэщIам щыгъуэ сынэхъ щIалэт. ИкъукIэ сыдэзыхьэх ролхэм ящыщщ Налом и тхыгъэхэм хэт адрей лIыхъужьхэри. А тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щIилъхьэ гупсысэмрэ и бзэм и кууагъымрэ удамыхьэхын плъэкIыркъым. — ЦIыху Iейм и роль щыбгъэзащIэм деж уэ дауэ а щытыкIэм уиувэрэ? — Ролыр фIырэ IейкIэ зэхэздзыркъым. Дэтхэнэми и пIэм уиувэфу щытын хуейщ. ФIыи Iейи зэхэмылъ щыIэкъым. ХьэIуцыдзрэ пэт и шырыр епI, абы фIагъ гуэри бгъэдэлъщ. ЦIыхум ищIэм фIы е Iей гуэр кърокIуэ. Аращи, Iуэху Iей зылэжьам и пIэм сиувэн хуей хъумэ, сиувэфынущ. «Сэ мыбы щхьэкIэ нэгъуэщI нэкIэ къызэплъынущ», — жысIэу сегупсысыркъым. ЖызоIэри, мы IэщIагъэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи ухуэмыхьэзыру урилэжьэфынукъым. — Театрым гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ди гъащIэм увыпIэшхуэ щеубыд… — «Мы дунеишхуэр зэрыщыту театрщ, цIыхухэр абы щоджэгу», — жиIащ Шекспир. Театрым и мыхьэнэ нэхъыщхьэр цIыхухэм я нэгу зегъэужьыныркъым. Ар гъэсакIуэ-ущиякIуэщ, цIыхур зыщIэзыгъэгупсысыж Iэмалхэм ящыщ зыщ. Нэгум зегъэужьынри гъащIэм щыщ зы Iыхьэщ, ауэ театрыр цIыхур зыгъэгупсысэ, зезыгъэузэщI къарууэ зэрыщытырщ япэ игъэщыпхъэр. ГъащIэр нэхъ гугъу хъуащ, абы ижь театрым къыщIеху, игъэув спектаклхэми захъуэж. Псалъэм папщIэ, гушыIэхэр, цIыхум и гукъыдэжыр къэзыIэтыфынухэр нэхъыбэу утыку кърахьэ. Ауэ, цIыхухэм нэхъ яфIэфIым дытелажьэу, зыгъэгупсысэр лъэныкъуэ едгъэз хъунукъым. Пасэм щыгъуэ пьесэ зытхахэми, ар зыгъэувахэми гъэсэныгъэ гуэр цIыхум ябгъэдэслъхьарэт жаIэу апхуэдэ зыгуэр я пщэм дамылъхьэжамэ, театр мыхьэнэр иIэу зэфIэувэну щытауэ фIэщщIыгъуейщ. Мыпхуэдэу зыгуэрым жиIауэ щытащ: дохутырыр Iэпкълъэпкъым еIэзэмэ, артистыр псэм йоIэзэ. Ар пэжу къызолъытэ, сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъыр зэрыузым хуэдэ дыдэу псэри узыфынущ. Абы и хущхъуэгъуэр хуабагъэ, дахагъэ зыхищIэнырщ. — Адыгэ тхакIуэхэм яйуэ иужьрей зэманым сытым фелэжьрэ? — IутIыж Борис и «Хьэпэщыпхэр», «Эдипыр», Къаныкъуэ Заринэ и «Нагъуэ и унагъуэр», Нало Заур и «IэфIынэ и нэ фIыцIитIыр», Шортэн Аскэрбий и «Яшэмрэ къэзышэхэмрэ» спектаклхэр щIэрыщIэу дгъэувыжащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди тхакIуэхэм я Iэдакъэм къыщIэкIауэ драматургие тхыгъэщIэ диIэкъым. НэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщ тхакIуэхэм я пьесэхэри догъэув, ахэр адыгэбзэкIэ утыку къыдохьэ, абыхэм я лэжьыгъэхэри умыгъэлъагъуэу зыпхуэужьынукъыми. — КъардэнгъущI Зырамыку, Акъсырэ Залымхъан сымэ я пьесэхэр къэгъэщIэрэщIэжауэ утыку къихьэжамэ хъунтэкъэ? — Адыгэ псэлъафэ щыIэщ, зылI и ныбжь дунейм и зэхэлъыкIэм зимыхъуэжу къанэркъым, жиIэу. Ар дуней пщалъэщ. Нобэ къытфIэмыIуэхуж хъуахэри дыхуэныкъуэу къыщытщтэжыни къытхуихуэнущ. Абы и лъэныкъуэкIэ уегупсысмэ, ди театрым и нэхъыжьыфIхэм ягъэлъагъуэу щыта лэжьыгъэхэр IэщIыб дымыщIмэ нэхъыфIт. Ауэ ахэр утыку къызэрипхьэжыфым куэд елъытауэ щытынущ. — Республикэм къибгъуэтэнкъым Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» Iуэтэжым къытращIыкIа кинофильмым емыплъа. Уеблэмэ иджыри «ЧэмалышхуэкIэ» къоджэ яхэтщ цIыхубэм. А ролым теухуа уи гукъэкIыжхэмкIэ укъыддэгуэшамэ, ди гуапэт. — А фильмыр сыдихьэхыу сыщыджэгуахэм ящыщщ. Абы лъандэрэ илъэс тIощIым нэсами, ноби уэрамым сыщрикIуэкIэ «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фильмым хэтар уэращ», — жаIэу сыкъыщагъэувыIэ щыIэщ. Ар гуапэ пщымыхъуу къанэркъым. Апхуэдэм уримыгушхуэни плъэкIкъым. Ауэ нэхъ лейуэ си напщIэ телъщ а тхыгъэр зей Къэрмокъуэ Мухьэмэд сызэрикъуажэгъур. Зы жылэжь дыкъызэрыдэкIари хэлъу къыщIэкIынущ а ролыр нэхъ зыхэсщIэу, псэкIэ си гъунэгъу дыдэу щIыщытым, къыщIызэхъулIам. Мыри къыхэзгъэщынут: фильмыр щытетхар Щхьэлыкъуэ къуажэщ, Апажэ СулътIан и унагъуэрщ. СулътIан и къуэш нэхъыщIэ Назир «Адыгэ псалъэ» газетым щылэжьащ. Назиррэ Мухьэмэдрэ фIы дыдэу зэрыцIыхурти, абы и фIыгъэкIэт кинор Апажэхэ щIыщытрахари. А фильмым щыфлъэгъуа джэдкъазри, Iэщри, жыг хадэри а унагъуэм яйт. Ягъэлъэгъуэн папщIэ зыри кърашэлIатэкъым. НэфIыцIэрэ сэрэ ди сценэр щытетха пэш цIыкIур сигу къокIыж. Iуэхур щекIуэкIыр СулътIанрэ и щхьэгъусэ дунейм ехыжамрэ я пэшырт. СулътIанрэ и щхьэгъусэмрэ къызэдагъэщIа илъэсхэм я фэеплъ дахэу лIыжьым ихъумэ пэшыр, абы щIэт унэлъащIэ ямыгъэхъеяхэр дэ ди лэжьыгъэкIэ къыдигъэгъэсэбэпауэ щытащ. Лъагъуныгъэм и хьэтыр лъапIэщ ар. Плъагъуркъэ, езы гъащIэмрэ фильмымрэ я мыхьэнэр хьэлэмэт гуэру зэхуэкIуат. — Ахьмэд, фIыщIэ пхузощI зэман тхухэпхыу укъызэрытхуеблэгъам папщIэ. Уи мурадхэр, хъуэпсапIэхэр Тхьэм къыпхузэпищэ! Епсэлъар НАФIЭДЗ Мухьэмэдщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101399.txt" }
IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэ ЩакIуэмрэ бзу цIыкIумрэ Мэзым щIэтурэ, щакIуэм зы бзу цIыкIу къиубыдащ. — СутIыпщыж, — жиIащ бзу цIыкIум. — СыбутIыпщыжмэ, игъащIэкIэ къыпщхьэпэн чэнджэщ уэстынщ. ЩакIуэр арэзы хъуащ: — УзутIыпщыжынщ, къызжеIэ. — Япэ чэнджэщыр мыращ, — жиIащ бзу цIыкIум, — блэкIам ущIэмыфыгъуж. — Хъунщ, — жиIащ щакIуэм. — ЕтIуанэри къызжеIэ. — Ар щыбжесIэнур сыбутIыпщыжмэщ. — КIуэ, — жиIэри, щакIуэм бзу цIыкIур иутIыпщыжащ. Жыгыщхьэм итIысхьэжауэ, бзур къопсалъэ: — ЕтIуанэр мыращ: пцIыр уи фIэщ умыщI. — Хъунщ, — жиIащ щакIуэм. — Ещанэр къызжеIэ. — Ещанэм ухуэмыпIа-щIэ. Уэ делэм пщIэуэ пIэрэ укъызэрызгъэпцIар? Си хулъэм джэдыкIэ хуэдиз хъууэ дыщэ кIанэ илъщ. Ар уиIамэ, игъащIэкIэ урикъунут, — жиIащ бзу цIыкIум, щакIуэм къыхуеплъыхри. — Бетэмал, щхьэ узутIыпщыжат! Укъысхурикъуащ. Дыщэм сыхэкIыжащ! — и Iэпэм едзэкъэжащ щакIуэр. — Ещанэр къызжеIэ. — Хьэуэ, абы ухуейкъым уэ, — жиIащ бзу цIыкIум. — ТIу бжесIати, зэрыбжесIа нэхъ хэлъакъым: пщыгъупщэжащ. БлэкIам ущIэмыфыгъуж, бжесIатэкъэ: сызэрыбутIыпщыжа нэхъ хэлъакъым, ущIегъуэжащ. ПцIыр уи фIэщ умыщI бжесIати, абыи уедэIуакъым: сэ езыр джэдыкIэ хуэдизщ сызэрыхъур, си хулъэм джэдыкIэ хуэдиз хъу ды-щэ кIанэ ихуэн? Ещанэр бжесIэнукъым, ар пхуэфащэкъым уэ. Ар жиIэри, бзу цIыкIур лъэтэжащ, щакIуэр хэплъэу къигъанэри. Хъыджэбз Iущыцэ Зы пащтыхь гуэрым зы зэман гуэрым цIыхухэр зэхуишэсри яжриIащ, дунейм нэхъ лъагъуныгъэу тетыр, нэхъ IэфIу щыIэр, нэхъ пшэру тетыр къэзыщIэм, и гъащIэм хурикъун дыщэ иритыну. — Пщэдей, иджы хуэдэм нэс, фегупсысыну пIалъэ фызот, — жиIащ пащтыхьым. ЦIыхухэр зэбгрыкIыжри, гупсысэу хуежьащ. ЛIы гуэрым хъыджэбз цIыкIу иIэт, илъэсибл ныбжьым итуи, и адэр хэплъэу, куууэ хэгупсысыхьауэ къыщыкIуэжым, еупщIащ: — Сыт къэхъуар, ди адэ, щхьэ ухэплъэрэ? Сыт пащтыхьым къывжиIар? — жиIэри. Адэми пхъум жриIэжащ пащтыхьыр зыхуейр, къазэреупщIар. — АтIэ, ди адэ, ар сэ къэсщIэнкъэ?! — жиIащ хъыджэбз цIыкIум. — Ар дауэ къызэрыпщIэнур? — игъэщIэгъуащ адэм. — Сыт къыщIэзмыщIэнур? Абы къэпщIэн зыри хэлъкъым, — жиIащ и фIэщу хъыджэбз цIыкIум. Адэм и фIэщ хъуакъым хъыджэбз цIыкIур и фIэщу къыщIепсэлъар, ауэ, псалъэм къыдэкIуэу, жиIащ: — АтIэ, къапщIэмэ, дехъулIащи, ди гъащIэкIэ тхурикъун дыщэ пащтыхьым къыдитынущ. Хъыджэбз цIыкIур абы щыгуфIыкIри, и адэм жриIащ пащтыхьыр зыщIэупщIам и жэуапхэр. ПIалъэр къэсри, цIыхухэр аргуэру пащтыхьым деж щызэхуэсащ. Зэтемыхуэу куэд жаIащ, ауэ пащтыхьыр зыми арэзы техъуакъым. Хъыджэбз цIыкIу зиIэ лIым деж чэзур къыщысым, абы мыпхуэдэу жиIащ: — ЩIыгум нэхъ пшэр, жейм нэхъ IэфI, быным нэхъ лъагъуныгъэ щыIэкъым. — Хэт къыбжиIа ар? — щIэупщIащ пащтыхьыр. — Илъэсиблым иту хъыджэбз цIыкIу сиIэщи, абы къызжиIащ, — зиумысащ занщIэу адэм. — АтIэ, а уи хъыджэбз Iущ цIыкIур къэмышууэ, къэмылъэсу, къэмылъатэу хьэщIэу къысхуэгъакIуэ, — жиIащ пащтыхьым. ЛIыр я деж къэкIуэжри, ипхъу цIыкIум жриIэжащ пащтыхьым пщэрылъ къыщищIар. Хъыджэбз цIыкIум и лъэIукIэ зы къуаргъ цIыкIурэ зы тхьэкIумэкIыхь цIыкIурэ лIым къригъэубыдащ. Къуаргъ цIыкIур и блыгум щIигъэтIысхьэщ, тхьэкIумэкIыхь цIыкIум кIапсэ цIыкIу гуэр трилъхьэщ, ишэри пащтыхьым и куэбжэм Iухьащ. Джэри, IуэхутхьэбзащIэхэр къыщыщIэкIым: — Пащтыхьым хъыбар ефт, къэвгъаплъи, сыкъызэрыкIуар къевгъэлъагъу, — яжриIащ. Пащтыхьыр шордакъым къикIри, хъыджэбз цIыкIум деж къеплъыхащ. — Сыкъэплъагъурэ? — жиIащ хъыджэбз цIыкIум. — Узолъагъу. — АтIэ, сыкъэшууакъым, сыкъэлъэсакъым, сыкъэлъэтакъым, мы цIыкIухэм сыкъахьащ, — жиIэри къуаргъ цIыкIумрэ тхьэкIумэкIыхь цIыкIумрэ пащтыхьым иригъэлъэгъуащ. — Уэ пщащэ Iущ цIыкIур ущапIым щыгъуэ сыт уагъэшхар? — къеупщIащ абы илъагъур хьэлэмэтлажьэ зыщыхъуа пащтыхьыр. — Гъуэгу гъурым къыщаубыда бдзэжьейрэ къэмыкIа къэкIыгъэкIэ сапIащ, — жиIащ хъыджэбз цIыкIум. Пащтыхьым зыри жимыIэу хъыджэбз цIыкIум къеплъащ, итIанэ игъазэри щIыхьэжащ. Мыгувэу IуэхутхьэбзащIэхэм хъыджэбз цIыкIум къыхущIахащ игъащIэкIэ хурикъун дыщэ. Хъыджэбз цIыкIур и адэм деж къэкIуэжри, тхъэуэ псэууэ къэнэжащ. Кхъуафэхухэм я уэрэд Уэ-хьэхьа-ай, хьа-хьа-хьа-а-а-й, Уэ-э-э, уэхьэхьай, уэхьа-а-а-й, Щоджэным и къуэри, уэ-хьэхьа-а, Уа-а, уо къосылIэрэ, а, КIэдыкIуеикъуэми, уэ-хьэ-хьа-а, Уа-а, уэ зегъазэри, а, Уэ догъазэри, уэ-хьэ-хьа-а, Кхъуафэр догъазэрэ-э, Уэ, кхъуэтопкIэрэ, уэ-хьэ-хьа-а, Уа-а, хыдогъэзыхьырэ, Уэ-хьэхьа-ай, хьа-хьа-хьа-а-а-й, Декхъуэфэуэжакъэ-тIэ, мис иджы. Жыжьэ дыплъэмэ, уэ-хьэ-хьа-а, Уа-а, хыбзухэр долъагъу, а, Дэ дызоплъыжри, уэ-хьэ-хьа-а, А, дызэрыхъур хьэкъуей зыбжанэщ, а, Псыхум и хуэр къытощ, уэ-хьэ-хьа-а, Уа-а, псыщхьэм дыкъытещыххэурэ, а, Жагъуэгъум идогъапщэ, уэ-хьэ-хьа-а, А, зэдгъапщэми докхъуэфауэ, а, Уэ инкIэрэ докхъуэгуауэркъэ-тIэ, уэ-хьэ-хьа-а, Уа-а, ди Iыхьэри къыхыдохыр, Къыхэтхахэри къыдохьыж, уэ-хьэ-хьа-а. ГъуэгурыкIуэ щIалэм къыщыщIар ЖантемырейкIэ сыкъикIщ, Зы къуажэфIым сыкъыдыхьэщ, Зы жылэфIым срихьэлIэщ, Зы унэфIым секIуалIэщ, «Ярэби, сэ сыгъуэгурыкIуэщ, Жыжьэ сыкъикIщ, СыкъыздикIри Псыжь адрыщIщ, Мы зи куэбжэ сыкъэсахэм сыкъыфхуепсыхщ, УнагъуэфIым я деж сыкъыIухьэщ, Си шыжьым езгъэшхыну, Зы мэкъу IэбжьэфIкIэ зезгъэтIыжыну сыкъыдыхьэщ», — ЖиIэри щIалэм и гур щIитIыкIащ. ЩIалэм и гур щIитIыкIа щхьэкIэ, джэри — игъуэтаIакъым. Куэбжэм теуIуэри — игъуэтаIакъым. Дыхьэри — зы хъыджэбз дэуэ гъуэлъыпIэм ису къилъэгъуащ. — Ей, къарэкъатинэ, БэрэтIинагъуэ, Данагъуэ Iупэ, Щхьэцыпэ дыкъуакъуэ, Кърым бжьэхуцыр зи щIыфэ, Уэ мастэр къэзыгъэфий! Сэ ЖантемырейкIэ сыкъокI, СыгъуэгурыкIуэщ, Си шыжьым ишхыну Мэкъу Iэгу къызэпттэмэ, — елъэIуащ щIалэр хъыджэбзым. — Си анэ мыгъуэр анэнэпIэсщ, Уэсым нэхърэ нэхъ щIыIэщ, Мэкъу куэди умыхь, Мэкъу бэхьи зумыщI, Уи шыжь хурикъун дэх! — жиIащ хъыджэбзым. Хъыджэбзым ар апхуэдэу къыщыжриIэм, щIалэ гъуэгурыкIуэр мэкъуэщым ихьэри, и шым мэкъу хуихьри иритащ. «Мы адыгэбзэр къызжезыIэу сызымыгъэщIэхъуа пщащэм зы адыгэбзэ гуэр зэхезгъэхыжынщ», — жиIэри, щIалэм игу къыщридзэм, игъэзэжащ. Хъыджэбзым деж щIыхьэмэ, зи гугъу ищIа мылъхуанэр къэсыжауэ щIэтт. Хъыджэбзым сехъуэхъуну сыщыувым, анэнэпIэс ябгэр къысхуилъри: — Е хьэм къилъхуа, УIуэрэ увэу дэнэ укъикIа? — жиIэри. Жыгей пхъэ дзакIэр къыщIилъэфщ, Си нэ джыджым къыхуишийщ, Си лъэнкIапIэр къигъэкIэзызщ, КIэзызыжу зыбжанэрэ сыщытри, Си гур къызэрыгъуэтыжщ, СыкъыщIэкIыжыну сыкъыщежьэм, — Ей хьэгъуэ, хьэгъуэ, Е хьэгъуэ кIагъуэ, Е хьэ кIагуэжь, ГуэнщIагъ зэрагъыж, «Шту!» — жиIэри хьэр къызиуштащ. Хьищэ хъункIэ зы хьэ закъуэ нэхъ хуэмычэму къызэхуэсри, си цей къуащIэр гуатхъащ. — Ей, хьэ гъуэжьыжь, Хьэ гъуэжьыжь мэскъарэ, Си цей къуащIэрат укъызыхуэсар? — щыжысIэм, хьэр кIуэри, гуэным щIэгъуэлъхьэжащ, адрей хьэхэри збгъэдэкIыжащ. Уи мыIуэху зепхуэмэ — Нарт Мэжаджэ и хьэщIэщ уихьэ хъунукъым: хьэщIагъэ къуехри, укъыщригъэжьэжкIэ и пшэрыхь бэлагъкIэ къуегъауэ, — жаIэри, Мэжаджэ щыщтэ хъуащ нартхэр. Зы нарт щауэ гуэрым игу ирилъхьащ: — СыкIуэнщи, нарт Мэжаджэ згъэунэхунщ, — жиIэри. Нарт Мэжаджэ деж нэсри, нарт щауэ и шыр Iахащ, езыр хьэщIэщым ирашэри, Iэнищэ кърахьэху къагъэхьэщIащ. ХьэщIэщым здисым, пщIантIэм доплъэри — джэдыр лъакъуэ закъуэщ. Псыхьэ кIуэуэ зы бзылъхугъэ пщIантIэм докI-къыдохьэжри — и пщэм щыгъэ ищIащ. Жэщищ-махуищкIэ хьэщIапIэ исри, нарт щауэр къэтэджыжащ: — Нарт Мэжаджэ Тхьэм игъэунэ, и шхын убагъуэ, — жиIэри. Шым ягъэшэсыжри ирагъэжьэжащ нарт щауэр — бэлагъкIэ къеуаIакъым. Гъуэгу къытехьэжауэ, нарт щауэр егупсысыжащ: — Згъэзэжынщи, я пшэрыхь бэлагъкIэ къыщIызамыгъэуар зэзгъэщIэнщ, — жиIэри. Игъэзэжри, нарт Мэжаджэ и хьэщIэщым ихьэжащ нарт щауэр. Аргуэру кърахащ хьэщIагъэ, Iэнищэ кърахьэху, къэгъэхьэщIащ, къагъэфIащ. ХьэщIэщым здисым, джэдыр зэрылъакъуэ закъуэри псыхьэ дэкI-къыдыхьэж бзылъхугъэм и пщэм щыгъэ зэрищIари илъэгъуащ. Илъэгъуар гъэщIэгъуэн къыщыхъуа щхьэкIэ, псалъэ жиIакъым. Тэджыжын щыхъум, нарт щауэм жиIащ: — Фи тхьэмадэм сыIувгъащIэ: хуеймэ, сэ сыкIуэнщ, хуеймэ, езыр хьэщIэщым кърырехьэ. — Езыр кърекIуэ, — къажриIэри, нарт Мэжаджэ хьэщIэ щIалэр иригъэшащ. Нарт Мэжаджэ и пащхьэ ихьэри, щIалэм жиIащ: — Уи хьэщIэщ хьэщIэ къихьэмэ, щебгъэжьэжкIэ пшэрыхьыр бэлагъкIэ ибогъауэ. Сэ къыщIызумыгъэуар сыт? Арат къыщIэзгъэзэжар. Зи мыIуэху зезыхуэм изогъауэ, — къыжриIащ щIалэм нарт Мэжаджэ. — ХьэщIищэм Iэнищэ нрахьати, «Iэнищэ щхьэ къифхьа?» жыпIакъым, Iэнищэ зэрыпхуэмышхынур пщIэрэ пэт. «Фи джэдым зы лъакъуэ закъуэ фIэкIа щхьэ щIэмытрэ?» жыпIакъым, уи Iуэху хэлътэкъыми: лъакъуищ ящIэтами, ущIыщIэупщIэн щыIэкъым, ущимыджэдкIэ. «Псыхьэ щыкIуэкIэ цIыхубзым щыгъэ щхьэ зыпщIэхилъхьэрэ?» жыпIэу ущIэупщIакъым, абыи уи Iуэху хэлътэкъыми: хуеймэ чыбжьэ зыпщIэхилъхьэнщ — сыт хуиIуэху? УцIыху гъэсауэ фэ птетщ, армырамэ, уи мыIуэхум ущIэупщIэнут. Зи мыIуэху зезыхуэм и щхьэм бэлагъ къохуэ, щIыжаIэр аращ. ЦIыху мыгъасэращ бэлагъкIэ зэзыгъауэр. Уэ уи хьэщIэгъуэ щызэфIэкIым, «Тхьэм фигъэунэ!» жыпIэри уежьэжащ, уи мыIуэху зепхуакъым, уи мыIуэху ущIэупщIакъым. Аращ си пшэрыхь бэлагъкIэ ныщIозмыгъэуар. Нарт щауэм игу зэгъауэ, нарт Мэжаджэ и пщIантIэ къыдэкIыжащ. Ахынрэ испыхэм я пщымрэ Щхьэгуащэ псыхъуэкIэ зэджэм испыпщыр дэст. Испыпщым пхъу дахэ иIэти, псэлъыхъур и куэдт. Нартхэм зэхахащ испыпщым ипхъу дахэм и хъыбарыр. Нарт щауэхэр лъыхъуащ испыпщым и пхъум. АрщхьэкIэ къаритакъым. Мыр къажриIащ: — Си пхъур зэстынур Щхьэгуащэ псыхъуэ зэпрылъыфырщ. Щхьэгуащэ псыхъуэ зэпрылъын къахэкIакъым нарт щауэхэм. Нартхэ зы жэмыхъуэ яIэт, АхынкIэ еджэу. Нартхэ я жэмыхъуэри лъыхъуащ испыпщым и пхъум. И Iэхъуэ башыр къищтэри, Ахын испыпщым деж кIуащ. Гугъущи демыхьу, нартхэ я жэмыхъуэжьым башыр зыщIигъакъуэри, Щхьэгуащэ псыхъуэ зэпрылъащ. Испым я пщым сыт ищIэжынт: и пхъур Ахын къритащ. Испыпщым и пхъур ишэри, Ахын хъупIэм ихьэжащ. Куэд дэкIа, мащIэ дэкIа, сытми, и пхъур нартхэ я жэмыхъуэм зэрыритам хущIегъуэжащ испым я пщыр- къытрихыжын мурад ищIащ. Ахын и Iэщыр хъуакIуэ дихуамэ, хъупIэр яуфэбгъурт, апхуэдизкIэ куэд хъурти. Езыр чом дэст, чор къитIыхьри, щIытIым псы дигъэлъэдэжауэ. Гъуэлъамэ, тхьэмахуэкIэ къызэщыуртэкъым нартхэ я жэмыхъуэр. ТхьэмахуэкIэ жейрти, къызэщыужа нэужь, и Iэщыр хъуакIуэ дихурт, тхьэмахуэкIэ имыгъэхъуэкIуауэ ирихулIэжыртэкъым. Чом къыщыдэкIкIэ, башыр зыщIигъакъуэурэ щIытIым къызэпрылъ и хабзэт нартхэ я жэмыхъуэм. Ахын и Iэщыр хъуакIуэ дихуауэ ирихьэлIэри, испым я пщыр чом дыхьащ, Iуэм ихьэри шхалъэм зыдиудыгъуащ. Испыпщым шхалъэм зыдиудыгъуауэ, Ахын къыдыхьэжащ, Iэщыр игъэзэгъэжщ, и Iэхъуэ башыр шхалъэм ириупсейри гъуэлъащ, жэщибл-махуиблкIэ жеин хуейти. Ахын жея нэужь, испыпщыр шхалъэм къыдэкIщ, шхалъэм еупсея башыр ирибзэри чом къыдэкIыжащ. ТхьэмахуэкIэ жейри, Ахын къэтэджыжащ, шхалъэм еупсея башыр къищтэри Iэщыр къиутIыпщащ. Iэщыр псым къызэприхури, Ахын башым зытригъэщIащ, щIытIым къызэпрылъын хуейти. ЩIытIым къыщызэпрылъым, башыр зэфIэщIыкIащ, испыпщым ирибзати. Башыр щызэфIэщIыкIым, Ахын щIытIым дэхуащ; щIытIым къыдэкIыжыфакъым — псы лъащIэм щIэтIысыкIащ. Испыпщым и пхъур чом къыдихыжри, Щхьэгуащэ псыхъуэ ихьыжащ. Нартхэ я жэмыхъуэжьыр псым щыхэхуэм, Iэщыр зэщIэгъуагэу хуежьащ, щIытIым и Iуфэм ирикIукI-нрикIукIыу зэщIэбууэу щIадзащ. Абыхэм я макъыр Ахын деж нэсащ. ЗэраIуатэмкIэ, псы щIагъым щыIэми, Ахын и нэр къызэтрихмэ, Iэщыр мыпIейтейуэ хъупIэм итщ, и нэр зэрызэтрилъхьэу- щхьэж и гъущапIэ йокIуэлIэж. Абы лъандэрэ Ахын Iэщым и тхьэпэлъытэ хъуащ. Жэмыхъуэжьым ириха лейр испым къыщIэкIуакъым, и лъэпкъыр абы дэкIуэдауэ жаIэ. Есэнокъуэ зэшищыр Есэнокъуэхэ зэшищ хъурт, жаIэ: Уэзырмэс, Темыркъан, Уэзырмэдж сымэ. Щыри хъыжьэт, IэщакIуэт, леймыгъэгъут. «Есэнокъуэхэ леймыгъэгъущ» щIыжаIар а зэшищращ. Еуэри, зэраIуэтэжымкIэ, Чэфыщ зэшитIыр бий къахуэхъуащ Есэнокъуэхэ. Бий зэхуэхъуауэ, Чэфыщхэ пцIы къатехьэри, хэкур ябгынэн хуейуэ жылэ хасэм унафэ ящIащ. Хэкур щIабгынэн хуей лажьэ яIэщIэщIатэкъым Чэфыщ зэшитIым, пцIы къатехьауэ арат. ПцIы къазэрытехьар Есэнокъуэхэ ящIэрт, ауэ, щыхьэт хъумэ, Чэфыщхэ хейуэ хэкIынути, зыри жаIакъым. Чэфыщ зэшитIыр Есэнокъуэхэ кIуащ: — ПцIы къызэрыттралъхьар фощIэ, щыхьэт фыкъытхуэхъу, дывихьэщIэщ, жаIэри. ХьэщIэ яукI хабзэтэкъыми, Есэнокъуэхэ жаIащ: — ТщIэр дыбзыщIынкъым, жылэ хасэр къыдэупщIмэ. Ди унэ фикIыжмэ, фыдибийщи, фхуэдгъэгъункIэ фыкъытщымыгугъ. Есэнокъуэ зэшищыр щыхьэт хъури, Чэфыщхэ хейуэ хэкIащ. Хейуэ хагъэкIами, ялъ ящIэжыху, Есэнокъуэ зэшищыр Чэфыщхэ я ужь къикIакъым. Есэнокъуэ зэшищым я лIыгъэм и хъыбар КIахэм щыщ пщы гуэрым деж нэIусащ. КIахэпщыр КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь жыхуаIэрат. Хуабжьу мэхъашэу, шынэ жыхуаIэр имыщIэу апхуэдэт ар. — Есэнокъуэхэ я лIыгъэр згъэунэхунщ,- жиIэри КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь къэшэсащ, Есэнокъуэхэ я деж къэсщ, ирихулIэри джащ. Зэшищым я нэхъыщIэр, Уэзырмэдж, унэм къыщIэкIри: — Еблагъэ! — жриIащ. — Хэт дэс? — къеупщIащ КъуийцIыкIуокъуэр, уанэгум здисым. — Си закъуэщ, — жиIащ Уэзырмэдж. Абдежым КъуийцIыкIуокъуэр къауэри, Уэзырмэджыр къиукIащ. — Есэнокъуэхэ леймыгъэгъущ, ялъ зэращIэжым деплъынщ, — жиIэри. Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ къащыщIа гуауэр къыщащIэм, махуищ дауэдапщэм иужькIэ тIысри зэпсэлъащ: — КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь фIэкIа мыр дэ къыдэзыщIэфын щыIэкъым, — жиIащ Уэзырмэс. Тэлай дэкIауэ, Уэзырмэс КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь кIэлъыкIуащ: — СызыгъэлIыщIэн солъыхъуэ, — жиIэри. — Сыт уи лIыгъэ? — къеупщIащ щIалэм КъуийцIыкIуокъуэр. — Шыбзыхъуэ сыпхуэхъунщ, шыгъашхэ сыпхуэхъунщ, — жиIащ Уэзырмэс. — АтIэ, — къыжриIащ КъуийцIыкIуокъуэм, — зекIуэ сежьэн мурад сиIэщи, си шыр гъуэгуанэм хуэгъэхьэзыр. Пщым и шыр гъуэгум хуигъэхьэзыращ Есэнокъуэ Уэзырмэс. ЗекIуэ щежьэм, КъуийцIыкIуокъуэм и шыгъашхэри зыщIигъуащ. Гъуэгум щигъэбэлэрыгъри, Уэзырмэс КъуийцIыкIуокъуэр иукIащ. Есэнокъуэ зэшищым я уэрэдым иужьым халъхьэ- жащ: КъуийцIыкIуокъуэр щIэзгъафэри, Афэ псыгъуэр къыщысхщ, И тхыныхур зыхэлъым хыгъуэ — Си гум дэгъуар дэкIащ, — жаIэу. Есэнокъуэ зэшищым мыпхуэдэ хъыбари къадокIуэкI. Есэнокъуэхэ я фызыжьым и къуэхэр щигъэшэскIэ, яжриIэ зэпытт: — Бийм фи щIыб хуэгъэзауэ фIылIэмэ, фыщIэслъхьэжынкъым! Ар дэнэ къэна, хьэдэгъуэшэр къатехуауэ я псэр щыхэкIкIи хуэмыхугъэ къакъуэщауэ цIыхум ирамыгъэлъагъункIэ тхьэ иригъаIуэрт и къуищым, шэсын хъумэ. Я анэм ирата псалъэр ягъэпэжыжащ зэшищым: нэхъыжьитIыр зауэм къыщаукIащ, нэхъыщIэр, и псэр пыт къудейуэ, шым къихьыжащ. БжэщхьэIум къытехьауэ, фызыжьым къилъэгъуащ и къуэ нэхъыщIэр уанэгум къызэрихуар. — И шынэхъыжьитIым ялъ ищIэжа? — щIэупщIащ фызыжьыр, бжэщхьэIум здытетым. — ИщIэжащ, — къыжраIащ. — Я адэм хуэфащэт, — жиIэри, фызыжьым и къуищыр щигъеижар абы иужькIэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101404.txt" }
Къаныкъуэ Заринэ и пьесэм Красноярск къыщоджэ Иджыблагъэ Красноярск щекIуэкIащ Тхылъ щэнхабзэмкIэ XV жармыкIэр. Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэр Прохоров Михаил и псапащIэ фондырщ. Мы гъэм Iуэхум унэтIыныгъэ щхьэхуэ иIащ: «ЦIыхухъур, бзылъхугъэр. Иджырей социальнэ гъащIэм щагъэзащIэ къалэнхэр». ЦIыхухъумрэ цIыхубзымрэ литературэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэм иIэ щхьэхуэныгъэхэм, я хъэтIым хэлъ щIэщыгъуагъхэм ятеухуауэ къэпсэлъахэщ «Новое литературное обозрение» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Прохоровэ Иринэ, тхыдэтх Лекманов Олег сымэ, нэгъуэщIхэри. «КРЯКК-2021» Iуэхум хэтащ тхыдэджхэр, философхэр, тхакIуэхэр. Красноярск щекIуэкIа литературэ зэхыхьэм ирагъэблэгъащ усакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ. Абы и «ЩыIащ — псэуащ, игъащIэкIэ» пьесэм къеджащ Пушкиным и цIэр зэрихьэу Красноярск дэт драмэ театрым и актёрхэр. ИужькIэ, тхыгъэм теухуауэ зэIущIэ екIуэкIащ, ар зи Iэдакъэ къыщIэкIа Къаныкъуэ Заринэ къыхуагъэхьэзыра упщIэхэм япэджэжащ. Пьесэр Къаныкъуэм адыгэбзэкIэ итхащ, урысыбзэкIэ зэридзэкIыжащ. Илъэс кIуам а тхыгъэр Урысейм ис лъэпкъхэм я иджырей драматургиер щызэхуэхьэса антологием ихуащ. Гъуэт Синэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101410.txt" }
Хэкум и IэфIагъыр нэхъ зыщIэр абы пэIэщIэращ Нобэ «Адыгэ псалъэм» ди хьэщIэщ «хэхэс» цIэ жагъуэр «хэкурыс» цIэ лъапIэмкIэ пасэу зыхъуэжы-фа, нэхъыщхьэращи, зыхъуэжу хущIемыгъуэжа ди лъэпкъэгъу МэшхуэфI Нэждэт. Лъэныкъуэ куэдкIэ лъэпкъым Iуэху хуэзылэжьа, хуэзылэжь ди нэхъыжьыфIым ущепсалъэкIэ, и тхыгъэхэм ущеджэкIэ, хэкум кърит къарур, зэфIэкIыр, гушхуэныгъэр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Нэждэт и тхыгъэ купщIафIэхэр, гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм, «Зэкъошныгъ», «Псалъэ» журналхэм щIэх-щIэхыурэ къытрырегъадзэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэм яз, абы и Генеральнэ секрета-ру 1993 — 1996 гъэхэм щыта Нэждэт иджы ДАХ-м и КъэпщытакIуэ гупым хэтщ. Хасэр илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу МэшхуэфIым депсэлъащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ къыджиIахэм. — Нэждэт, ДАХ-м и тхыдэр щIалэгъуалэм ящIэркъым. Уэ уащыщщ ар къызэзыгъэпэщахэми, сыхуейт Iуэхур къызэрекIуэкIам дыщыбгъэгъуэзэну. Ауэ нэгъуэщIкIэ къыщIозгъэдзэнут: уэркIэ сыт лъэпкъ Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэр? — БлэкIа лIэщIыгъуэхэм къытхуахьа тхьэмыщкIагъэхэм адыгэр тIууэ дызэгуачащ. Лъэпкъым и нэхъыбэм хэкур зэрырагъэбгынам зи Iыхьэ мымащIэ хэлъ Уэсмэн империем адыгэр и щIым хьэдзэ зырызу дрипхъащ. Империер лъалъэри, хэгъэгу зэпэщхьэхуэ дыкъыщыхутащ. Хэхэсхэр иджыри зэ ягъэIэпхъуащ. Адыгэхэм аргуэру яхъуэжын хуей хъуащ я хэгъэгущIэр. Урысей империем къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэми хэкурысхэр зэпэIэщIэ ищIащ. Иджы хэкурысымрэ хэхэсымрэ зэхуэныкъуэхэщ, зэхуэибэхэщ. Зэлъэпкъэгъухэм ди гур зэхуоуз, ди хэгъэгухэр зыхэхуэ гузэвэгъуэхэм дызэдагъэгумэщI, гуфIэгъуэ къащыдэхъукIэ — дызэдогуфIэ. Пэжыр жыIэпхъэщи, ди лъэпкъым куэд и нэгу щIэкIащ, гъунэншэуи гугъу драгъэхьащ. Егъэзыгъэрэ гъэпцIагъэкIэ кIуэдыпIэ гъуэгум трашахэра нэхъ гугъу ехьар хьэмэрэ хэкум къинэныр зи насып къихьахэра? Нэрылъагъур — хэкурысхэм я насыпыр зэрытекIуаращ. Iыхьэ-Iыхьэу ягуэшами, лъэпкъыр къыщыхъуа адыгэщIыращ зытесыр. ЩыдэплъейкIэ, адыгэ уафэращ ялъагъур. Хэти щыгъуазэщ, хэкум къинэжар мащIэ дыдэт. Ауэ хэкур лъабжьэщ, лъабжьэр къарути, хэкурыс тIэкIум Урысейм хыхьэ республикэхэр яухуэн ялъэкIащ. Хэкурысращ бзэр ихъумэну, иригъэфIэкIуэну зи насып къихьар, уэрэдыжьхэр ноби зыгъэпсэур, усэщIэхэр зытхыр, уэрэдыщIэхэми дамэ езытыр. Гузэвэгъуэ щихуэкIэ, хэкурысыращ къэралыр и дэIэпыкъуэгъуу хэхэсым и хэку езыгъэгъуэтыжыр, хэхэсхэр апхуэдэхэм зэрадэIэпыкъур хэкур зыгъуэтыжахэм ялъэзыгъэIэсыр. — Хэкурысымрэ хэхэсымрэ зэзыпх ДАХ-р зэгъэпэща зэрыхъуам теухуауэ жаIэжхэмрэ ятхыжхэмрэ мащIэу зэщхьэщокI. Уэ 1978 гъэм «Родина»-м къригъэблэгъауэ Тыркум къикIа япэ адыгэ лIыкIуэ гупым уахэтат. 1991 гъэм ДАХ-р къызэзыгъэпэщыну Налшык къэкIуахэм уащыщщ, Тыркум къикIа ди лъэпкъэгъухэм уратхьэмадэт. Абы ДАХ-м и тхьэмадэ къуэдзэу ущыхахат, ноби ухэтщ абы и КъэпщытакIуэ гупым. ДАХ-р ухуа зэрыхъуам теухуауэ сыт къыджепIэнт? — Зы тIэкIу нэхъ жыжьэкIэ къыщIэддзэнщ Залинэ. Хэти щыгъуазэщ и лъэпкъым хуэпэж, абы иригушхуэ, лъэпкъыр иригъэфIэкIуэным, игъэдэхэным хуэлажьэ лъэпкъыпсэ-хэкупсэхэр зэрыщыIэм. Абы дэщIыгъууи зыпIа лъэпкъым и псэр хуэзыгъэтIылъахэр зэрымымащIэри зымыцIыху щыIэкъым. Аращи, лъэпкъ Iуэхухэр зы нэрыбгэм е зы гупым зэфIахауэ жыпIэныр щыуагъэщ. Ауэ къохъу лъэхъэнэ зэблэкIыгъуэ, лъэпкъ насып къэгъэзэгъуэ. Насып къэгъэзэгъуэхэм лъэпкъым хуэблэжьым къыпэкIуэри нэхъ нэрылъагъущ. Хэкум къинахэмрэ хэхэс хъуахэмрэ зэпэIэщIэ щыхъуа япэрей махуэхэм щыщIэдзауэ зэхуэзэшу, зэлъэIэсыжыным щIэхъуэпсами, дунейм текъухьа адыгэхэм я лIыкIуэхэр япэу щызэхуэсыфар 1989 гъэм жэпуэгъуэм и 21-рщ. Хэку бгынэр илъэси 125-рэ щрикъум теухуа, «Щэнхабзэ тхьэмахуэ» зыфIаща зэхуэсыр махуиблкIэ екIуэкIат. Зэхуэсым и бысымыр Анкара дэт Кавказ Ищхъэрэ Щэнхабзэ Хасэр арат. Адэжь щIыналъэм, Сирием, Иорданием, Америкэм, Германием, Тыркум и къалэ зыбжанэм къикIа лIыкIуэхэр зыхэлэжьыхьа зэхуэсыр дуней псом хуэгъэза мы псалъэхэрат къызэрызэIуахар: «Дывгъэухуэ дуней: — А дунейм лъэпкъхэм я кум дэлъ мамырыгъэмрэ зэкъуэшыгъэмрэ щребыдэ, мамырыгъэ жьыбгъэм «зауэ» псалъэр бзэ псоми хрырелъэсыкI. — А дунейм, лъэпкъхэр цIыкIути инти жытIэу зэхэдмыдзу, цIыху псоми зэдай культурэхэр, щыдвгъэхъумэ. — А дунейм зы нэрыбгэ закъуи и гупсысэм, и фIэщым щхьэкIэ лей къыщытремыхьэ. — А дунейм и бзэрэ и культурэрэ хуэлэжьэну цIыхухэм пэрыуэгъу зыри щахуремыхъу. — А дунейм лъэпкъхэм я адэжь хэкур, сыт и мыщхьэусыгъуэми, щрамыгъэбгынэ. — Уа, захуагъэр, мамырыгъэр зыгъэлъапIэ цIыхухэ! Фэ дыныводжэ: фыкъакIуи, дызэгъусэу дунейр лъагъуныгъэрэ дахагъэкIэ дывгъэгъэщIэращIэ». ЛlыкIуэхэм я мызакъуэу, цIыху мин бжыгъэхэр зыхэлэжьыхьа мы зэхуэсращ Дунейпсо Адыгэ Хасэ къызэгъэпэщыным щIэдзапIэ хуэхъуар. Мы зэхуэсыр ДАХ-м и япэ конгрессу къэзылъытэхэм ящыщщ Голландием щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Фэтхьи Рэджэби. Зэхуэсым къыщамыIэта лъэпкъ Iуэху къэмынами, псом я нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьахэр хэхэсым и хэку егъэгъуэтыжынращ. ЕтIуанэрей зэхуэсыр Голландие Адыгэ Хасэм и фIыщIэкIэ 1990 гъэм накъыгъэм и 4, 5, 6 махуэхэм а къэра-лым щекIуэкIащ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ «Родина»-м, Тыркум, Германием ит хасэхэм, бысым хасэм я лIыкIуэхэри яхэту, нэрыбгэ 61-рэ хэлэжьыхьащ зэхуэсым икIи, Анкара къикIа лIыкIуэм жиIар даIыгъыу, зэгурыIуащ 1991 гъэм накъыгъэм и 21-м Налшык щызэхуэсу Дунейпсо Адыгэ Хасэ къызэрагъэпэщыну. ЛIыкIуэхэм я мызакъуэу, ди республикищым я унафэщIхэр, лъэпкъым и цIыху цIэрыIуэхэр, ди лъэпкъэгъухэр зыщыпсэу лъэныкъуэ псоми къикIахэр мин бжыгъэкIэ 1991 гъэм накъыгъэм и 19-м Налшык щызэхуэсхэри, ДАХ-р яухуащ. Абы къыщымынэу, зэхуэсым къекIуэлIа мин бжыгъэхэр накъыгъэм и 21-м, Щыгъуэ-щIэж махуэм, Налшык стадионым щызэхуэсри зэхуэгузэващ. ТхьэлъэIуи ящIащ хэкум, лъэпкъым и псэр хуэзыгъэтIылъа, узым, гъаблэм ихьа, хэхэс гъащIэм зэгуиуда ди адэжьхэм жэнэт ягъуэтыну… ТхьэлъэIу ящIащ хэхэсым адэжь щIыналъэр игъуэтыжыну, лъэпкъым зиужьыжыну… ЯщIащ тхьэлъэIу дунейр мамырыну. — Нэждэт, ДАХ-р къызэзыгъэпэщахэр сыт абы фызэрыщыгугъыр? — ДАХ-м и къалэн нэхъыщхьэр — адыгэхэм я адэжь щIыналъэ егъэгъуэтыжыныращ, и Iэщэри анэдэлъхубзэращ. Сыту жыпIэмэ, бзэр тхыдэщ, бзэр IуэрыIуатэщ, бзэр лъэпкъыр нэгъуэщIхэм яхэзымыгъэгъуащэщ. Хэкури цIыхум и гум къару зыщигъуэт, зэрылъэпкъыр зыщигъэпэж, лъэпкъыу зыщихъумэжыф щIы Iыхьэращ. Зэрыдижагъуэщи, къохъу лъэпкъхэм я щIыр щрагъэбгынэ. Хэкумрэ анэдэлъхубзэмрэ зэкIэрыпч мыхъуу быдэу зэхэпщащ. Зыр адрейм лъабжьэ, къару хуохъу. Хэкур къэзыгъуэтыжым анэдэлъхубзэри къегъуэтыж. Анэдэлъхубзэр зыIурылъ, анэдэлъхубзэр къэзыщтэж хэхэсыр хэкумкIэ къаплъэ, къэнацIэ мэхъу… ЗыхузэфIэкIхэм адэжь щIыналъэм къагъэзэж. Аращи, лъэпкъыр, хэкур, анэдэлъхубзэр зэгъэуIужыным хуэпсэуа дэтхэнэ зы адыгэри ДАХ-м и ухуакIуэщ. ДАХ-м и ухуакIуэщ хы Iуфэм нэмыс щIыкIэ къэзыгъэзэжахэр. И ухуакIуэщ и бын быдзафэр и бгъэм къыщIичу, хэкум къинэ адыгэ унагъуэм къыхуэзыгъэнахэр. ДАХ-м и ухуакIуэщ Тыркум щынэсам къагъэзэжыным къыщIэлъэIуу Урысей пащтыхьым тхылъ къыхуэзытхахэр. И ухуакIуэщ гъуэгум къытехьэжахэм ящыщу Уэсмэн империем и дзэлIхэм зэбграхуахэр. ДАХ-м и ухуакIуэщ 1908 гъэм щыщIэдзауэ хасэхэр зыухуа, анэдэлъхубзэр щадж еджапIэхэр къызэзыгъэпэща, хэкум егъэджакIуэхэр къэзыгъэкIуа хэкупсэхэр. И ухуакIуэщ абыхэм бысым яхуэхъуа, хы адрыщI плъэ зэпыта хэкупсэ-лъэпкъыпсэхэр. ДАХ-м и ухуакIуэщ и къуэшыр, и шыпхъур ирилъагъуэ къыфIэщIу мазэр из щыхъум еплъахэр, «СыщылIэкIэ си бгъэр хэкумкIэ гъэзауэ сывгъэтIылъ» уэсятыр къэзыщIахэр. ДАХ-м и ухуакIуэщ 1930 гъэхэм Сирием адыгэбзэр щадж еджапIэ къызэIузыхахэр, пщэдджыжь къэсыхукIэ еджакIуэ цIыкIухэм я гур хэкумкIэ гъэзауэ я гимн жезыгъэIахэр. ДАХ-м и ухуакIуэщ 1950 гъэхэм Иорданием адыгэбзэкIэ спектакль щызыгъэувахэр, адэжь щIыналъэм, хэку гъэзэжым теухуа гъыбзэ зэхэзылъхьахэр. ДАХ-м и ухуакIуэщ радиокIэ, тхыгъэкIэ хэхэсхэм ялъэIэсахэр, лъэныкъуитIымкIи «тхьэкIумафIэхэр» яужь зэритым зрамыгъэлъахъэу зэкIэлъыкIуахэр. ДАХ-м и ухуакIуэщ «Родина»-р зыухуахэр, хэхэс къуэшхэм яхыхьахэр, къуэшхэр хэкум къезыгъэблэгъахэр, щезыгъэджахэр. ДАХ-м и ухуакIуэщ 1970 гъэхэм адэжь щIыналъэм къикIауэ Тыркум щрагъэблэгъа я къуэшхэр я стипендиехэмкIэ зыгъэхьэщIа ныбжьыщIэхэр. И ухуакIуэщ нэдэплъыпIэ щымыIарэ пэт, хэкум гъэзэжыныр гугъэ лъагэу зыхуэзыгъэувыжахэр, журнал, газет къыдэзыгъэкIахэр. ДАХ-м и ухуакIуэщ хэхэсыр хэкум щIэзыгъэхъуэпса ди тхакIуэхэр, усакIуэхэр. И ухуакIуэщ ди уэрэдусхэр, ди пшынауэхэр, уэрэджыIакIуэхэр, лъэпкъ къафэхэр зыгъэпсэуахэр. Ауэ псом хуэмыдэу ДАХ-м и ухуакIуэщ Урысейм хыхьэ ди хэкухэр, республикэхэр зыухуахэр. И ухуакIуэщ ди хэгъэгур езыгъэфIакIуэ, хэхэсым гулъытэ хуэзыщI ди унафэщIхэр. Хэкум къинэжыныр зи насып къихьа, хэкужьым щыпсэуа, гугъу щехьа дэтхэнэ зы хэкурысри, хэкур, лъэпкъыр зи плъапIэ дэтхэнэ зы хэхэсри ДАХ-м и ухуакIуэщ. ИтIани, хэхэсыр нэгъэсауэ зэрымылъэпкъыфынури, хэкур хэхэсым зэрыхуэныкъуэри пэжми, ДАХ-м хэхэсым и хэку егъэгъуэтыжыныр и къалэн нэхъыщхьэм лъабжэ хуэхъуами, хэхэс псоми къызэрамыгъэзэжыфынур къыдгуроIуэ. Аращи, ДАХ-р дыгъуасэ зэлэжьари нобэ зэлэжьри зы къэралыгъуэ дыхъужынракъым, атIэ, зэпэщхьэхуэу псэу адыгэхэр анэдэлъхубзэкIэ зэгурыIуэу зы лъэпкъыу адэкIи дунейм дытетынырщ. Абы дэщIыгъуу ДАХ-м хэтхэм къагуроIуэ лъэпкъхэр зэбий зэрымыхъунур. Нэрылъагъущ мызэуа, бий зимыIа лъэпкъ дунейм зэрытемытыр. Ауэ илъэсищэ бжыгъэкIэ зэзэуахэри яхэтыжу, нобэ лъэпкъхэм зэгухьэн, зэгурыIуэн ялъокI. Урысхэри, адыгэхэр зыхэс нэгъуэщI лъэпкъхэри дызэгурыIуэу, Урысей Федерацэм и Iэмалыр ди Iэмалу, и къарур ди къарууэ дызэдэпсэумэ, лъэпкъыр зэрефIэкIуэнур, хэхэсхэм ящыщу адэжь щIыналъэмкIэ къеIэр къызэрытшэжыфынур шэч къызытумыхьэнщ. — А Iуэхур зэрымыкIуатэм, ДАХ-р къэралым зэрыпэмыувым щхьэкIэ зыгъэкъуанши щыIэщ. — ЩыIэщ икIи щыIэнущ. Абыхэм къагурымыIуэр мыращ: ДАХ-р политикэ парткъым, цIыхубэ организацэщ. ЦIыхубэ организацэхэм езым я къару закъуэкIэ хэхэсыр къызэрамышэжыфынури, анэдэлъхубзэр зэрамыхъумэфынури нахуэщ. Мы IуэхугъуитIыр зи пщэрылъри зыгъэзэщIэфынури ди республикэхэмрэ ахэр зыхыхьэ Урысей Федерацэмрэщ. Абы къыхэкIкIэ ДАХ-р унафэщIхэм япэувыркъым, ауэ икIи еубзэркъым. Йопсалъэ, лъэпкъым и гуращэхэр ялъегъэIэс, и къарум къихьыр ядещIэ. УнафэщIхэмрэ ДАХ-мрэ пщIэ зэхуащI, зэдэIэпыкъуу зэдолажьэ… — Нэждэт, илъэс щэщIым къриубыдэу ДАХ-м дызэрыгушхуэну хузэфIэкIам и гугъу къытхуэпщIын? — Япэрауэ, адыгэу дунейм тетыр зэзыпх, зэлъэзыгъэIэс ДАХ-р илъэс щэщI хъуауэ дызэриIэ закъуэр гуфIэгъуэщ. Узэхэмыхьэу, узэрымыIуэту узэрыщIэнукъым. Иджы езы хасэхэм я Iуэхуи хэмылъу ди лъэпкъэгъухэр зэкIэлъокIуэ, зэрощIэ, Iуэху зэдащIэ, зэрогъэхьэщIэ, зэблагъэхэр зэрогъуэтыж. Гуапэщ Урысей Федерацэм и лIыкIуэхэр адыгэхэр щыкуэд къэралхэм щыкIуэкIэ, ди хэгъэгу унафэщIхэм, депутатхэм ящыщ зэрыхагъэхьэр. Урысей Федерацэм адыгэхэри и хэкуэгъухэм зэрыхибжам и мыхьэнэр къэIуэтэгъуейщ. ЗэрытщIэжщи, 1991 — 2000 гъэхэм къриубыдэу къару зиIа хабзэр и лъабжьэу УФ-м и паспортыр посольствэхэм къыщрату щытащ абы щIэупщIэ хэхэс адыгэхэм. УзыгъэгуфIэщ иджырей Iэмалхэри къагъэсэбэп зэрыхъуар. Зи гугъу сщIыр хэхэс адыгэхэм онлайну адыгэбзэ, урысыбзэ курсхэр къыхузэрагъэпэщ зэрыхъуарщ. — Ди лъэпкъым сыткIэ захуэбгъэзэнт? — Ди къэралым федерализмэр зэрыщыбыдэм, демократием зэрызыщиубгъум елъытауэ, зэхэгъэгуэгъу лъэпкъ зэпэщхьэхуэхэм я зэкъуэшыгъэр нэхъри нэхъ быдэ, я зэхущытыкIэри нэхъри нэхъ дахэ хъунущ. Шэч хэлъкъым, хэкурыс адыгэхэм яIэ хуитыныгъэм, езыхэм Iэмалу иратым елъытауэ, хэхэс адыгэхэр Урысей Федерацэм и гухуэкIуэ лIыкIуэ хъунухэщ. Абыхэм ирагъэфIэкIуэнущ зыщыпсэу къэралыгъуэхэмрэ Урысей Федерацэмрэ я зэхущытыкIэр. ЩIыхь зыхуэсщI ди лъэпкъэгъухэм иджыри зэ мыпхуэду захузогъазэ: «Адыгэр дунейм дызэрыщикъухьар, дызэрызэкъуэчар зыщыдвмыгъэгъупщэ! Дыщыпсэу хэгъэгухэм я гъэпсыкIэр, ярылъ унафэхэр зэрызэхуэмыдэр къыдвгъэлъытэ! ДызэлъэIэсыну лъэкIыныгъэ дызэримыIар зыщыдвмыгъэгъупщэ. Илъэсищэ бжыгъэкIэ зэзэуа лъэпкъхэри хэгъэгухэри щызэгурыIуэ, щызэхыхьэж, я къарухэр щагъэлъэщ лъагапIэм зэрынэсам гу лъыдвгъатэ! Дызэрыгъуэтыжамэ, дызэфIэзыгъэкIуэдыжын IуэкIэ-щIыкIэхэм защыдвгъэдзей! Ди хэгъэгухэм мамырыгъэ илъыным, я экономикэм зыкъиIэтыным, зэхущытыкIэ дахэ зэдаIэным дыхуэвгъэлажьэ!» Епсэлъар ЩОМАХУЭ Залинэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101413.txt" }
Къалэ транспортым и зекIуэкIэр яубзыху КъБР-м и Парламентым ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и комитетым и зэIущIэм убгъуауэ щытепсэлъыхьащ Налшык къалэ цIыхухэр къыщезышэкI транспортым пыщIа гугъуехьхэмрэ ахэр гъэзэкIуэжа зэрыхъуну щIыкIэхэмрэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, депутатхэр, Налшык къалэ администрацэм, министерствэхэм, нэгъуэщI къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр. Iуэхур щекIуэкI комитетым и унафэщI Байдаев Сэлихь зэIущIэр къызэIуихащ. Абы жиIащ транспорт IэнатIэр иджырей мардэхэм изагъэу, шынагъуэншэу къызэгъэпэщын зэрыхуейр. Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Тонконог Анатолий жиIащ къалэм жылагъуэ транспортыр зрикIуэ гъуэгу 32-рэ зэриIэр. ЩыщIэныгъэ гуэрхэр щыIэми, къалэм и куей нэхъыщхьэ псори транспорткIэ зэпыщIащ, зы фIэкIа зумыхъуэкIыу къалэм и дэнэ щIыпIи узэрынэсыфынур къыхигъэщащ къэпсалъэм. А маршрутхэр ягъэ-лажьэ автотранспорт IуэхущIапIэу 12-м, 2020 гъэм абыхэм цIыху мелуан 18,3-рэ кърашэкIащ. Тонконог къызэрыхигъэщамкIэ, транспортым епха Iуэхутхьэбзэхэм щIэуэ къыхыхьа Iэмалхэр и лъабжьэу къалэ маршрут сетри зэхъуэкIын, егъэфIэкIуэн хуейщ, абы иужь ихьащ къалэ администрацэр, икIи Iыхьэ-Iыхьэу зэщхьэщыхауэ елэжьынущ. Пэжщ, мы Iуэхум илъэс зыбжанэ текIуэдэнущ. Япэ ирагъэщынухэм ящыщщ маршруткэ цIыкIухэр автобусышхуэкIэ зэрызэрахъуэкIынур. ЗэфIагъэкIын хуей Iуэху нэхъыщхьэхэм хеубыдэ илъэсым и кIэ хъуху автобусыпщIэр ахъшэ хэмыту епту зэрызэтраухуэнур, «Тройка» транспорт картэр лажьэу зэрыщIидзэнур. «Ищхъэрэ» автовокзалыр къызэрызэIуахар, дяпэкIэ абы икI маршрутхэр «ДыгъафIэ къалэ» сабий академиемрэ «Ипщэ» автовокзалымрэ кIуэуэ зэрырагъэжьэнур дыщIигъуащ Тонконог Анатолий. АвтовокзалыщIэхэм ехьэлIауэ цIыхухэм ягу ирихьхэмрэ-иримыхьхэмрэ ятеухуа гупсысэхэр зэрызэхахыр, ныкъусаныгъэхэр занщIэу ягъэзэкIуэжыну зэрыхэтыр жиIащ къулыкъущIэм. МВД-м и УГИБДД-м и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Сухорученкэ Дмитрий къытеувыIащ гъуэгум шынагъуэ къыщымыгъэхъуным зэрелэжь щIыкIэм. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, иужьрей мазибгъум нэхъ мащIэ хъуащ цIыху къезышэкI транспортхэр хэту гъуэгум къыщыхъу зэжьэхэуэхэр. КъэхъукъащIэхэр нэхъыбэу къэзышэр цIыхухэр автобус къэувыIэпIэм намышэсу щхьэж щыхуейм деж щрагъэкIыну хьэл зэраIэрщ. Ар шынагъуэншэкъым. «Ространснадзор»-м и къулыкъущIапIэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Кабардиков Алим зэрыжиIамкIэ, 2021 гъэм къэпщытэныгъэ 334-рэ ирагъэкIуэкIащ. Хабзэр 2723-рэ къызэпаудауэ къыщIагъэщащ, административнэ тезыр тралъхьащ 2410-м. Апхуэдэу тезыру сом мелуани 5,6-рэ ятыну хуагъэувати, абы щыщу сом мелуани 3,3-рэ ирагъэпшынащ. Зытепсэлъыхь Iуэхум ныкъусаныгъэу хэлъым и гугъу щищIым, Алим жиIащ маршруткэхэр жьы зэрыхъуамрэ рулым дэсхэм я машинэ къехуэкIыкIэмрэ Iуэху мыщхьэпэ куэд къызэрырикIуэр. ЗэIущIэм хэтахэм зэдэарэзыуэ къыхагъэщащ цIыхухэр шынагъуэншэу къешэкIыным, абыкIэ жэуап зыхь псори набдзэгубдзаплъэу щытыным, къызэгъэпэщакIуэхэм гъуэгум къыщыхъу псомкIи жэуап яхьыным, зэрызекIуэ хабзэхэр куэдрэ къызэпызыудхэр лэжьапIэ IугъэкIыным дяпэкIэ нэхъ ткIийуэ кIэлъыплъын зэрыхуейр. КъыхагъэбелджылыкIа ныкъусаныгъэхэр и лъабжьэу КъБР-м и Парламентым ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и комитетым тхылъ игъэхьэзыращ, къулыкъущIапIэхэм яхуигъэхьыну. Къэбарт Мирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101416.txt" }
Мылэжьэгъуэ махуэхэр иухащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIа «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэм щыжиIащ республикэм мылэжьэгъуэ махуэхэм къызэрыщыпамыщэнур. — Иужьрей тхьэмахуэм ди щIыналъэм сымаджэхэм я бжыгъэм зыхъуэжыныгъэшхуэ щигъуэтакъым. Вакцинэр зыхезыгъалъхьэхэр нэхъыбэ хъуащ. QR-кодыр къызэрагъэсэбэпымрэ узыфэм пэщIэтынымкIэ щыIэ санитар хабзэхэр зэрагъэзащIэмрэ адэкIи кIэлъыплъын хуейщ. Республикэм щекIуэкI гъащIэр къызэпыдуду мылэжьэгъуэ махуэхэм къахэдгъэхьэну дыхуейтэкъым, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм зэIущIэм хэтхэм пщэрылъ ящищIащ вакцинэр зыхегъэлъхьэным узыфэм пэщIэтынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр жылагъуэм я деж нэхьэсынымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм адэкIи къыпащэну. ЗэIущIэм щыжаIащ жэпуэгъуэм и 8-м щегъэжьауэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэми сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зэкIуалIэ спорт школхэми я зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр и кIэм зэрынэсар. Мылэжьэгъуэу ягъэува тхьэмахуэр зэфIэкIащ: IуэхущIапIэ псори я лэжьыгъэм пэрохьэж. А псом къадэкIуэуи, жэпуэгъуэм и 20-м КъБР-м и Оперштабым санитар-эпидемиологие мардэхэм теухуауэ къищта хабзэхэр гъэзэщIэным ткIийуэ тетыпхъэщ. Щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм, шхапIэхэм, хьэщIэщхэм, кIапсэ гъуэгухэм, бассейнхэм, спорт пэшхэм, фитнес-центрхэм, зыщагъэдахэ унэхэм укIуэн папщIэ QR-код е ПЦР-тест птауэ, коронавирус къызэромыузым и щыхьэт тхылъ уиIэн хуейщ. Апхуэдэу ахэр яIэн хуейщ пэш зэхуэщIахэм щIэту Iэтауэ ЗАГС-м и органхэм зи нэчыхь щезыгъэтххэми. ЦIыхухэр куэду щызэхыхьэ щIыпIэхэм нэкIуIупхъуэр къыщыгъэсэбэпыпхъэщ, гъунэгъуу зэбгъэдэмыхьэну, я Iэхэр щIэх-щIэхыурэ дезинфекцэ ящIыну къыхураджэ. Колледжхэм (лицейхэм), щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм егъэджэныгъэ Iуэхур еджапIэхэм емыкIуалIэу ирагъэкIуэкIынымкIэ Iэмалхэр къыхалъхьапхъэщ. Апхуэдэуи Оперштабым къегъэув а IуэхущIапIэхэм цIыху куэд зыхэт зэхыхьэхэр къызэрамыгъэпэщыну. Мылажьэхэр, вакцинэхэр зыхезымыгъэлъхьахэр (медицинэ щхьэусыгъуэкIэ хущхъуэр зрамыхьэлIахэри яхэту), зи ныбжьыр илъэс 60 хъухэр икIи нэхъыжьхэр, апхуэдэуи мазих ипэкIэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытахэр унэм къыщIэмыкIыу щIэсын хуейщ, Iэмалыншэ дыдэу зыщIыпIэ кIуэн хуей мыхъумэ. IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм вакцинэр зыхезымыгъэлъхьахэр (медицинэ щхьэусыгъуэкIэ къэнахэр мыхъумэ) IэнатIэм пэIэщIэ ящIын хуейщ. КъищынэмыщIауэ, илъэс 60, абы нэхърэ нэхъыбэ хъухэу тхьэмбыл, гу-лъынтхуэ, эндокриннэ узыфэхэр зиIэхэр тхьэмахуи 4 — 6-кIэ IэнатIэм емыкIуалIэу ягъэлэжьэну щытыкIэхэр къахузэгъэпэщыпхъэщ, COVID-19-м зэрыпэщIэт вакцинэр зэрызыхрагъэлъхьэным зыхуагъэхьэзырын папщIэ. Коронавирусым зэрыпэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн папщIэ республикэм щытыкIэ псори къыщызэрагъэпэщащ. Республикэм мастэр щыхалъхьэ IуэхущIапIэу 83-рэ щолажьэ. Хущхъуэр ирахьэлIэн хуейщ цIыху 529 301-м. Вакцинэм и пкъыгъуитIри зыхезыгъэлъхьахэм я бжыгъэр 149 975-рэ мэхъу. Иужьрей жэщ-махуэм, щэкIуэгъуэм и 8-м, Къэбэрдей-Балъкъэрым ПЦР-тест щызытахэр 2623-рэ мэхъу, узыфэр япкърыту сымаджи 133-рэ къахутащ. Компьютер томографхэмкIэ я узыншагъэр къапщытащ цIыху 340-м, вирус пневмоние япкърыту къагъэлъэгъуащ 224-рэ. Госпитали 6-м гъуэлъыпIэ 1613-рэ щIэтщ. Иджыпсту абыхэм щагъэхъуж сымаджэ 1500-рэ, абы и ныкъуэр лъышэр (кислород) я дэIэпыкъуэгъуу ягъэбауэ. Реанимацэм щIэлъщ 156-рэ, абы щыщу 18-р ИВЛ, 112-р НИВЛ аппаратхэм пыщIащ. Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм цIыхуи 8 илIыкIащ. Амбулаторэ кIэлъыплъыныгъэм щIэту загъэхъуж цIыху 5384-м. Хъужахэм я бжыгъэр 104-рэ мэхъу. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101419.txt" }
Зи IэщIагъэм хуэIэижь Ставрополь крайм хыхьэ Лермонтов къалэм щыIэ Урысейм и МЧС-м и еджапIэ-зыщагъасэ центрым щекIуэкIащ мафIэсгъэункIыфI-къегъэлъакIуэ спортымкIэ щIыналъэ зэхьэзэхуэхэр. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм щыIэ УФ-м и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэхэм я команди 10. Спортсменищэм щIигъу зэхьэзэхуащ мафIэсыр гъэункIыфIыным, насыпыншагъэр къызытепсыхар къегъэлыным ехьэлIа спорт унэтIыныгъэхэмкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам хэтащ НэкIус Мурат, ШэмпIар Къазбэч, Къудей Азэмэт, Сэхъурокъуэ Аслъэн, Жэмыхъуэ Кушбий, Абазэ Алим, Мисиров Тимур, Гъыдэ Артур, ФиIэпщэ Изнаур, Iэщыжь Анзор, Куэшей Мурат, Шыбзыхъуэ Дамирэ сымэ. Гупыр зэхьэзэхуэхэм хуигъэхьэзыращ Мисиров Ибрэхьим. Зэпеуэхэм я нэхъ гугъу дыдэу къалъытэ, еплIанэ къатым кIэрагъэувэ пкIэлъейкIэ дэкIуеиным, пашэныгъэр щиубыдащ ШэмпIар Къазбэч. ЛъагапIэр абы къызэринэкIащ секунд 13,85-кIэ. Мэзкуу Къан.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101423.txt" }
Адыгэ щIалэхэр Кубок нэхъыщхьэм иризоныкъуэкъу Португалием щекIуэкIащ дзюдомкIэ Европэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэрал 24-м къикIа спортсмен ныбжьыщIэ 300-м щIигъу. Урысейм и командэ къыхэхам хэту абы щыбэнащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ставрополь краймрэ я цIэкIэ утыку къихьэ Къуэдз Къантемыр. ПэщIэдзэ зэIущIэхэр фIы дыдэу езыгъэкIуэкIа ди щIалэм финалым къыщыпэщIэхуащ къэралым и командэ нэхъыщхьэм къыдыхэт Краснодар крайм и щIыхьыр зыхъумэ адыгэ щIалэ НэгъущI Абрэдж. Ди лъахэгъур абы ефIэкIащ икIи зэхьэзэхуэм и дыщэ медалымрэ кубок нэхъыщхьэмрэ къыхуагъэфэщащ. Къуэдз Къантемыр ягъасэ Иванов Дмитрийрэ Апхудэ Андзоррэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101425.txt" }
«Псыхущхъуэ» — апхуэдэущ зэреджэу щытар Балъкъ и псыхъуащхьэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщыщIэж псы хуабэхэм я гугъу щащIкIэ, зэгурыIуа фIэкIа умыщIэну, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэми цIыху къызэрыгуэкIхэми я нэхъыбэм къагъэсэбэпыр къэрэшей-балъкъэрыбзэм къыхэкIа «Джилы-Су» псалъэрщ. Абы къыхэкIыуи упщIэ къоув: «Ярэби, ди лъэпкъэгъухэр псынэ телъыджэхэм зэреджэу щытар дапхуэдэу пIэрэ?». АтIэми, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Iуащхьэжь уардэм и лъабжьэм зэкIэлъхьэужьу къыщыщIэж псы хущхъуэхэм къегъэщIылIа къущхьэхъу хъупIэхэр илъэс миным нэблагъэкIэ зи IэмыщIэ илъар къэбэрдеипщхэрщ, а пIалъэ кIыхьым къриубы-дэу а щIыпIэм нэхъ щызэхэзекIуари адыгэхэмрэ абыхэм благъагъэкIэ къабгъэдыхьэ, бзэкIэ япэгъунэгъу абазэхэмрэщ. Куэд щIакъым си деж къызэрыпсалъэрэ Балъкъ псыхъуэ зыдэзыуфэбгъуа Къармэхьэблэ къуажэм къыщыхъуа, си ныбжьэгъу Бышэн Хьэбас. Къыхигъэщащ зэригуапэр щIыуэпсым дызэрытет-хыхьри, щIыпIэцIэхэм я къежьэкIэ хъуар зэхэдгъэкIыну яужь дызэритри. — Зи гугъу тщIы псынащхьэхэм хуэгъэзауэ, сызэрыцIыкIурэ ди адэхэм жаIэу щытар «Псыхущхъуэ» псалъэрщ, — игу къегъэкIыж Бышэным. — Мыдрейуэ. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр, и къекIуэкIыкIар зыфIэтелъыджэ, Къулъкъужын къуажэ щыщ Щокъуий Хьэсэн Балъкъ и псыхъуащхьэхэм щыIэ псы пщтыр къыщIэжыпIэхэм я гугъу щищIкIэ, «Таучэшхэ я псынащхьэ» фIэщыгъэри къегъэсэбэп. Хьэбас и гукъеуэр къыскIэрыхъыжьауэ сыздэщысым, «Иджыпсту сыт узытетхыхьыр, Аслъэн?» — жиIэри, си лэжьэгъу нэхъыжь Шал Мухьэмэд зыкъысхуигъэзащ. — «Джилы-Су» цIэр зыкIэрыпщIа псы хуабэхэм адыгэбзэкIэ зэреджэу щытар къэлъыхъуэным, — естыжащ абы жэуап. — Псыхущхъуэхэра зи гугъу пщIыр? — щIэупщIащ Мухьэмэд. — Iэу, уэри а псалъэр къыбогъэсэбэпри? — згъэщIэгъуащ сэри. — Къущхьэхъу лъэныкъуэмкIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщыщIэж псы пщтырхэм, зэрысщIэжрэ, ди Iэщыхъуэхэр зэреджэу щытар апхуэдэущ, — тригъэчыныхьащ Шалми. ЖыпIэнур арамэ, мы тхыгъэр зытхыр, курыт еджапIэр къызэрызухрэ, адыгэ щIыпIэцIэхэм я къежьэкIэ хъуам сыдехьэх, а щIэныгъэм зезыгъэужь цIыхухэм я IэдакъэщIэкIхэми щIэх-щIэхыурэ щыгъуазэ захузощI. Арати, «дызытепсэлъыхьым теухуауэ зыгуэр къизмыгъуэтэну пIэрэ?» — жыхуэсIэу, щIэныгъэлI КIуэкIуэ Джэмалдин 1974 гъэм къыдигъэкIа «Адыгская (Черкесская) топонимия» и тхылъыр къызэгуэсхащ. Абы и 250-нэ напэкIуэцIым згъэщIагъуэу сыкъыщоджэ мыпхуэдэ псалъэхэм: «Псыхущхъуэ (Псыхушхо) — «вода целебная» — у истоков Малки (Горячий ключ)». Зи гугъу ищIар, дауи, къызэрывгурыIуащи, Iуащхьэмахуэ лъапэ и дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкIэ къыщыщIэж псы хущхъуэхэращ. Ауэ щыхъукIи, зэманыр кIуэтэху нэхъри цIэрыIуэ хъу псынащхьэхэм адыгэхэр зэреджэу щыта псори дэ иджыпсту къытхуэугъуеижынкъым. Арами, мызыгъуэгукIэ дэ нэхъ тегъэщIапIэ тщIыну тфIэигъуэр КIуэкIуэ Джэмалдин къихьа «Псыхущхъуэ» фIэщыгъэрщ. АтIэми, къызолъытэ адыгэхэр а щIыпIэм зэреджэу щыта «Псыхущхъуэ» псалъэр «Джилы-Су»-м нэхърэ мынэхъыкIэу. АбыкIэ, псалъэм папщIэ, щыхьэткъэ, мы щIыпIэцIэм хуэдэхэр кIахэ адыгэхэм, убыххэм, абазэхэм я Хэкужьу щыт КъухьэпIэ Кавказым ноби хъума зэрыщыхъуар?! Апхуэдэуи, жытIам и щапхъэу къыдолъытэ Псыбей, ТIуапсы, Псыдыдж, Псыбэпс, Псыбэ, Псыкъуэ, Псышхуэ, Псынэдахэ, Псэм и Iуащхьэ фIэщыгъэхэр, нэгъуэщIхэри. ИтIани, ди гуапэ зэрыхъунщи, щIыпIэцIэхэр щаIэщIэхуж, щызэрахъуэкIыж мы зэманми, щIыналъэм ижькIэрэ щыпсэуа лъэпкъхэм къагъэсэбэпу щыта фIэщыгъэхэри дунейм къыщытрагъэхьэж щыIэщ. АбыкIи щапхъэхэр гъунэжщ… ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101427.txt" }
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и тхыдэ-лъахэхутэ музей Куэд щIакъым Дзэлыкъуэ щIыналъэм тхыдэ — лъахэхутэ музей къызэрыщызэIуахрэ. Абы и хъыбар куэдрэ зэхыдох, Iуэхугъуэ дахэхэр къыщызэрагъэпэщ, цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнщ, щIэупщIэ иIэщ. Дэри, музейм теухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ абы и унафэщI Мэкъуауэ Хьэлимэт. — Хьэлимэт, къызэрыунэхурэ илъэс зыбжанэ нэхъ дэмыкIа музейр куэдым къацIыхуащ. И къежьэкIам, къызэрызэвгъэпэщам и гугъу уэзгъэщIынут. — Музейр Дзэлыкъуэ щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Джатэ Руслан и жэрдэмкIэ яухуащ. 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 12-м къызэIутхащ ар. Тхыдэ къулей зиIэ, цIыху щэджащэхэр зи куэд Дзэлыкъуэ щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр музей уимыIэу зэрыпхуэмыхъумэнур къилъытащ абы. Музейр къызэгъэпэщыным республикэ мылъкуи текIуэдакъым, езы щIыналъэм иIэ Iэмалхэр къигъэсэбэпыжри зэфIигъэуващ. — Сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэр влэжьрэ, сытхэр фи мурад? — Дзэлыкъуэ щIыналъэм теухуауэ щыIэ архивыр, тхыдэ хъыбархэр, щIыпIэ телъыджэхэм теухуа тхыгъэ щхьэхуэхэр, сурэт гъэтIылъыгъэхэр, хьэпшып зэхуэмыдэхэр зэхуэхьэсыныр, хъумэныр, цIыхухэм егъэлъагъуныр — аращ музейм и мурадыр. Республикэм, щIыналъэм, дуней псом цIэрыIуа щыхъуа цIыхухэм я япэ лъэбакъуэр щачащ мы щIыналъэм. Хэт гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуищIащ, хэт литературэм хэлэжьыхьащ, хэт щIэныгъэм гъуэгу щыпхишащ, хэт Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэтащ. Абыхэм я гъащIэр джыжынымрэ щIэблэм щапхъэу едгъэлъагъунымрэ гулъытэ щхьэхуэ худощI. ЩIэх-щIэхыурэ цIыху щэджащэхэм ятеухуа пшыхьхэмрэ зэIущIэхэмрэ къызыдогъэпэщ, Iуэхур зытедухуэхэм я благъэ-Iыхьлыхэр къыдогъэблагъэ. Ахэри гукъэкIыжхэмкIэ къыддогуашэ. Ди музейм щIэлъщ адыгэ хабзэм, тхыдэм, IуэрыIуатэм теухуа гъэтIылъыгъэ къулей. Ахэр, псалъэм папщIэ, егъэджакIуэхэми еджакIуэхэми я лэжьыгъэхэм къыщагъэсэбэп хъунущ. ЩIэныгъэ лэжьыгъэ ятхыу куэд къокIуалIэри, сэбэп дахуохъу. НэгъуэщI щIыналъэхэми къыщипсэлъыкI е къыщикI щыIэщ цIыхухэр. Мыбдеж щытхъумэхэм ящыщ гуэрхэр зырагъэлъагъу, къагъэщхьэпэ. Тхыдэм, лъахэхутэ щIэныгъэм, адыгэбзэмкIэ дерсхэм къыщыбгъэсэбэп хъуну литературэ ди фондым и куэдщ. Музейм щыдогъэкIуэкI республикэмрэ къэралымрэ щагъэлъапIэ махуэшхуэхэм хухэтх пшыхьхэр, дыщыжыджэрщ зэпеуэхэм. Иджыблагъэ дыхэтащ «Шедевры Территории Победы» дунейпсо зэпеуэм икIи «Щэнхабзэ щIэин» Iыхьэм дыщытекIуащ. — Музейм щыфхъумэ хьэпшыпхэм къахэвгъэщхьэхукIыу, къызэрымыкIуэу лъапIэныгъэ яIэу сытхэр яхэт? — Нэхъ тIорысэху и лъапIагъыр нэхъ ин хъууэ си гугъэщ хьэпшыпым. Сыту жыпIэмэ, ар зэманыжьым къыпхыкIащ — блэкIам теухуа хъыбар гуэри Iэмал имыIэу дыщIыгъущ. Музейм щыдохъумэ Къармэхьэблэ деж къыщыщIатIыкIыжа хьэпшып тIорысэ дыдэхэр: мывэ уадащхьэр (мывэ лъэхъэнэм и зэманщ), илъэс миниплIрэ ныкъуэрэ зи ныбжьу хуагъэфащэ пасэрей кхъуэщыныжьхэр. Илъэсищэрэ ныкъуэрэ и ныбжьщ сэ езгъэджа Гындыгъу Резуан къыдита фащэ Iэщхьэпылъым, и анэшхуэм и анэр унагъуэ щихьэнум щыгъуэ тхыпхъэкIэ хидыкIауэ щытар. Къармэхьэблэ щыщ Гувэжыкъуэ Анатолэ къытхуихьа быргуэ-быргуэри яфIэгъэщIэгъуэнщ цIыхухэм. Жьы дыдэ хъуа гуэншэрыкъыр, шыгун етур, псы къызэрахьу щыта гуэгуэныжьхэр, жыр пыIэхэр. Дэтхэнэ хьэпшыпми хъыбар иIэщ. Адыгэм и псэукIэу щытар, IуэхущIафэу зэрихьахэр, щIым зэрытелажьэу, гъавэ зэращIэу щыта Iэмалхэр, Iэщым зэрыкIэлъыплъу щытахэр — куэд къаIуатэ. Зауэ зэман лъандэрэ яхъума сэлэт письмо щимэ цIыкIухэри щIэлъщ мыбы. — ЦIыхухэм уакъытеувыIэмэ-щэ… — ЦIыхухэм сакъытеувыIэмэ, япэу сызытепсэлъыхьынур Хэку зауэшхуэр зи нэгу щIэкIахэрщ. Дзэлыкъуэкъуажэ зэрыпхъуакIуэхэм щаубыдам щыгъуэ, Бабыгуей Жан къуажэ советым фIэлъ нып плъыжьыр къыфIихри, и унэ пкIэунэм щигъэпщкIуащ. Къуажэр хуит къэхъужыху ихъума ныпыр нэмыцэхэм къагъуэтамэ, езыри и унагъуэри ягъэкIуэдынут. А шынагъуэм ебакъуа бзылъхугъэр лIыхъужьу къызолъытэ. Тэшло Мурадин! Ар илъэс 14 фIэкIа хъуртэкъым, зэрыпхъуакIуэхэм Малкэ къуажэр щаубыдам. Нэмыцэ офицерым Малкэ шэщым адыгэшу щIэтыр Германием яхуну унафэ ищIат. Мурадин щIалэ цIыкIуитI и гъусэу ди зы партизаным щэхуу зыбгъэдишэри къелъэIуащ: шэщыбжэр ямылъагъуу Iуахыу, шыхэр яутIыпщыну. Мурадин щIыгъу щIалэ цIыкIуитIым дзыхь ящIакъым — шынащ. Мурадиным шыхэр жэщым игъэкIуасэри, Куржым ихуащ. Мазитхум нэблагъэкIэ (нэмыцэхэр дахужыху) абы шыхэр щигъэхъуащ. ЩIалэм къигъэзэжа нэужь, шы спортым хыхьащ, спортсмен хъуащ. Музейм къекIуалIэхэр къыщоувыIэри, куэдрэ зэпаплъыхь Махуэ Джэфар и сурэтхэмрэ абы теухуа дэфтэрхэмрэ зыфIэлъ плIанэпэр — 1920 гъэхэм лъандэрэ яхъумащ ахэр. КIэмыргуейхэ Хьэмидрэ Къэнэмэтрэ. ЩIалитIыр лэжьакIуэшхуэхэт. Хьэмид трактор бригадэм щыбригадирт, Къэнэмэт тракторист нэхъыфIхэм хабжэрт. 1935 гъэм Москва мэкъумэш IэнатIэм пэрытхэм я зэIущIэ щекIуэкIыу, ахэр ираджэри, Лениным и орденыр къратауэ щытащ. Мы хъыбарыр нэхъри гъэщIэгъуэн щIохъукI зы Iуэхугъуэм: зэкъуэшитIыр мафIэгукIэ Москва къикIыжырт орденыбгъэу. МафIэгум деж цIыхугъэ къащыхуэхъуащ сэлэт гуп — я орденхэр ялъагъуу къабгъэдыхьагъэнт. ЗэрыцIыхуа нэужь, сэлэтхэм КIэмыргуей зэшхэм къыжраIащ дзэм къулыкъу щызыщIэ я къуэш ещанэми, езыхэм Ленин и дамыгъэр къыщыхуагъэфэща махуэм техуэу, лIыхъужьу дзэм къулыкъу зэрыщищIэм папщIэ дамыгъэ лъапIэ къызэрыратар. Дзэлыкъуэкъуажэ сабий сад №1-м и унафэщIу куэдрэ щыта, пенсэ ныбжьым нэса нэужьи абы гъэсакIуэу щылэжьа Наждафовэ Валентинэ и гугъу сщIынут. Жьы дыдэ хъууэ дунейм ехыжыху зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ сынхэм якIэлъыплъащ ар — игъэкъабзэрт, зыхуей хуигъазэрт. Мис апхуэдэ лIыхъужьхэм я сурэтхэмрэ я дэфтэрхэмрэ дохъумэ. — НэгъуэщI щIыналъэ къикIыу хьэщIэ къыфхуэкIуэмэ, сыт япэ дыдэу евгъэлъагъур? — Дзэлыкъуэ щIыналъэм ди ныпыр, гербыр, гимныр зыфIэлъ блыным бгъэдыдошэ! Урысейм къикIа IэщIагъэлI, щIэныгъэлIхэр къыщыкIуаи къэхъуащ. Абыхэм нэхъ телъыджэ ящыхъури?! Апхуэдизуи мыин дыдэ ди щIыналъэм цIыху щэджащэ куэд зэриIэрщ. — Музейм щIэлъхэр цIыхухэм евгъэлъагъун папщIэ интернетым и Iэмалыр къызэрывгъэсэбэпым гу лъыттащ… — Пэжщ, къыдогъэсэбэп. Музейр щыдгъэлъагъуэ напэкIуэцIхэр щыдиIэщ «Facebook», «Одноклассники», «Вконтакте» интернет утыкухэм. Сурэт, дэфтэр, хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр сурэткIэ къыдогъэлъагъуэ, ятеухуа хэзыгъэгъуазэ гуэрхэр, хъыбархэр щIыгъуу. ЦIыхухэр зыщIэупщIэнуIамэ, интернетым щыдиIэ напэкIуэцIхэм къытхуотхэ е къеблэгъэнуIамэ, пIалъэмкIэ дызэгуроIуэ. Музейм щытхъумэ псори интернет напэкIуэцIкIэ, дауи, къытхуэгъэлъэгъуэнукъым. Ауэ, ар IэмалыфIщ, псалъэм папщIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм япыщIа дыхъунымкIэ, ахэр зыщIэупщIэхэм дапэджэжынымкIэ. Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101431.txt" }
Джонсон Рэйчел и адыгэ къежьапIэр къелъыхъуэж Куэдым ящIэ Инджылызым и премьер-министр Джонсон Борис урыс-кавказ зауэм иужькIэ Тыркум гъэру къыщыхута адыгэ пщащэм къызэрытехъукIар. И лъэпкъым и къуэпсыр къилъыхъуэжу, ар Тыркум зэрыщыIам и хъыбари «Адыгэ псалъэм» къытеддзауэ щытащ. Борис и шыпхъу Рэйчел унагъуэм и тхыдэр иджыри зы лъэбакъуэкIэ ипэкIэ игъэкIуэтащ. ЦIыхубз гумызагъэр Тыркум кIуэщ, и адэшхуэхэмкIэ и благъэхэм яхуэзэри, пщылIыпIэм къраша и анэшхуэм щегъэжьауэ езым деж нэсу, лъэпкъым и къудамэр зэфIигъэувэжащ. Уеблэмэ адыгэу щыта я анэшхуэм и сурэт къигъуэтыжащ. Зи гугъу тщIы хъыбарыр жэпуэгъуэм и 31-м къытрадзащ Инджылызым къыщыдэкI «Times», «Daily mail» газетхэм. Къэралым и хэхыныгъэхэр щекIуэкIым щыгъуэ, Борис и хьэрхуэрэгъу Ливингстон Кен: «Уэ уи адэшхуэм цIыху игъэпщылIу щытащ», — жиIэри, къещауэ щытащ. Абы и щхьэусыгъуэр нобэ зи гугъу тщIыну Фаридэ Хьэнифэ и лIым тырку бэзэрым къыщищэхуауэ зэры-щытарт. Армырами ехьэкI-нехьэкI зимыIэ щIалэ жьэнахуэм и псалъэр пщIэ зыхуэфащэ жэуапщ: «Ди адэшхуэр гъэпщылIакIуэтэкъым, атIэ пщылIыпIэм ит цIыхубзыр щхьэгъусэу къишэу, хуит зыщIыжа цIыхущ». Дауэ ящIами, езыхэр ягъэлъэхъшэн папщIэ къагъэсэбэп хъыбарым зэдэлъхузэшыпхъум щIэгушхуэн щхьэусыгъуэ къыхащIыкIыфащ. «XIX лIэщIыгъуэм Урысейм Кавказыр иубыда нэужь, мелуан 1,5-м нэс адыгэхэр Тыркум щхьэхуимыту Iэпхъуауэ щытащ. Абыхэм язт ди анэшхуэри, — етх Рэйчел. — Абы теухуауэ зэхэсха хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, хъыджэбз цIыкIур илъэс 13 е 15 ныбжьым итащ. Илъэс 43-рэ ирикъуа Хьэмди Ахьмэд ар езыщар езым и адэрщ». Адыгэ хъыджэбзхэр «пщылI хужьхэр» щащэ бэзэрым игъащIэми уасафIэу щащэу зэрыщытар Рэйчели ещIэ. Зэрыдахэм и фIыгъэкIэ, абыхэм сытым щыгъуэми унагъуэм ихьэну Iэмал ягъуэтырт. И псалъэхэм и щыхьэту Рэйчел къехь «Лондон Пост» газетым 1856 гъэм къытрадзауэ щыта тхыгъэм и пычыгъуэ: «ИгъащIэм иджы хуэдэу адыгэ пщащэхэр пудакъым. Лири 100-кIэ мынэхъ мащIэкIэ ящэу щымытахэр иджы лири 5-кIэ уогъуэт». «Зи цIэ къудей пэжу дымыщIэ си анэшхуэм къыщыщIами дызэреплъыр езым и Iуэхур нэхъ тынш зыщIа къэхъукъащIэущ, — зрегъэубгъу Рэйчел и гупсысэм. — Аращ абы и тхыдэм си гъын къыщIимыгъакIуэр. Езыр бэзэрым пщылIу къытрашами, къэралым и лIыщхьэ хъуа щIалэ къытехъукIащ». Джонсон Рэйчел и къуэхутэныгъэхэм занщIэу пэджэжащ Тыркум къыщыдэкI «Индепендент» газетым и журналист Эрдем Али Кемал. Абы псалъэмакъым къыхишащ «Сэ си цIэр 1864 гъэщ» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI тхакIуэ, зи магистр диссертацэр Рэйчел зи гугъу ищI «пщылI хужьхэм» я Iуэху зыIутам тезыухуа Аксой Эльбрус. «Рэйчелрэ Борисрэ я анэшхуэр мыадыгэнкIи хъунущ, — жеIэ Аксой. — Сыту жыпIэмэ, а зэманым цIыху зыщэхэм я хьэпшыпыр нэхъ уасэшхуэ иIэу икIын щхьэкIэ, «адыгэ пщащэ» зыфIащыр нэхъыбэт». Аксой Эльбрус укъуэдияуэ топсэлъыхь адыгэхэм я тхыдэм, ахэр Тыркум къызэрыщыхутами къыщIыщыхутами. ГуIэфIтещIэжу, сурэтыщI цIэрыIуэ Да Винчи Леонардо, Джонсонхэ ещхьу, и анэр пщылIыпIэ къикIа адыгэ пщащэу зэрыщытари жеIэ. Зэгуэр «пщылI хужьу» щыта я адэшхуэ-анэшхуэхэм къатехъукIауэ ди зэманым Тыркумрэ Мысырымрэ мелуанитIым нэс ису зэрыхуагъэфащэри къыхегъэщ. Дигу къинэжауэ иджыри зы гъэщIэгъуэн. ЗэрыбыниплI хъууэ къэхъуа Джонсонхэ, я тырку-адыгэ адэшхуэ Кемал Али ещхьу, псори журналист, политик IэщIагъэм епхащ. Рэйчел зэрыжиIэжымкIэ, нэхъыщIэхэм «дыгъэджэгу» жаIэурэ, хагъэзыхьыху, сабийхэм я нэхъыжь Борис: «ИIэ, деджэу доджэгу», — яжриIэрти, тхылъ IэщIэлъу яхэтIысхьэрт. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101434.txt" }
Политик Iэзэ, цIыху гуапэ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору хэт, ЩIэныгъэхэм-кIэ Дунейпсо Адыгэ академием и президент Къанокъуэ Арсен и цIэм и мызакъуэу, и щхьэкIи и IуэхущIафэкIи къацIыхуну хунэсащ езыр къыщалъхуа республикэм. Абы и гугъу щытщIкIэ ди нэгу къыщIэувэжыр ди хэку цIыкIум папщIэ зэфIигъэкIа Iуэху дахэхэрщ, КъБР-м и Iэтащхьэу лэжьэху дэтлъэгъуа Iэзагъымрэ жумартагъымрэщ. Иджырей гупсысэкIэ зиIэ, зыхуигъэувыж къалэнхэр зэрызригъэхъулIэн Iэмалхэр къэзыгъуэтыф политик Къанокъуэ Арсен УФ-м и Президентым 2005 гъэм фокIадэм и 28-м къыхилъхьэри, КъБР-м и Iэтащхьэу ягъэуват. Ар а IэнатIэм зэрыпэрыт илъэсибгъум къриубыдэу ди лъахэм исхэм я деж пщIэшхуэ къыщилэжьащ, и Iулыджыр щызэфIэуващ, и зэфIэкIыр къэрал псом къыщалъытащ. Урысейм ис эксперт-политолог куэдым жаIэрт Къанокъуэ Арсен КъБР-м и Iэтащхьэу щIагъэувар экономист-Iуэхузехьэ лъэщу, абы и лъэныкъуэкIэ зэфIэкI къызэрымыкIуэ бгъэдэлъу зэрыщытыр арауэ. Пэж дыдэуи, абы щыхьэт техъуащ Къанокъуэм УФ-м и хэгъэгу нэхъ къыкIэрыхухэм ящыщыр илъэс зыбжанэм къриубыдэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ пашэ зэрыщищIар. КъБР-м и УнафэщIу щагъэува махуэм щегъэжьауэ ар иужь ихьащ республикэм и экономикэм зегъэужьыным, инвестицэхэмрэ иджырей технологиехэмрэ къигъэсэбэпкIэрэ, туризмэм зегъэубгъуным, мэкъумэш IэнатIэмрэ промышленностымрэ егъэфIэкIуэным. Ахэр зригъэхъулIэфын папщIэ зыхуей псори — зэфIэкI, щIэныгъэ, лэжьыгъэм и пIалъэ, жыджэрагъ — иIэт абы. Къанокъуэ Ар-сен къиухащ Плеханов Г. В. и цIэр зэрихьэу Москва дэт цIыхубэ хозяйствэмкIэ институтым и сату-экономи- кэ факультетыр. Экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ. Экономикэ щIэныгъэхэмрэ хьэрычэтыщIэ IуэхухэмкIэ академием, Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ академием я действительнэ членщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикщ. Къанокъуэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ рыночнэ экономикэм и хабзэхэм теухуа монографие, тхыгъэ зыбжанэ. КъБР-м и Iэтащхьэу зэрылэжьа зэманым къриубыдэу Къанокъуэ Арсенрэ абы и унафэм щIэт гупымрэ куэд къайхъулIащ республикэм и социально-экономикэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным епхауэ. Ар и фIыгъэщ жылагъуэм и гъа-щIэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэу гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэхэр, республикэм зэрызиужьыну унэтIыны-гъэ нэхъыщхьэхэмрэ къэрал властым и органхэм къапэщыт къалэнхэмрэ IупщIу зэхигъэкIыу, япэ игъэщыпхъэхэр игъэнаIуэурэ зи къалэнхэм пщэрылъ зэращищIым. Къанокъуэ Арсен сыт щыгъуи хеубыдэ политикхэм, экономистхэм я лъэщагъыр къыщапщытэ рейтингхэм, къищынэмыщIауэ, хэгъэгу Iэтащхьэхэм хуащI пщIэмрэ ябгъэдэлъ зэфIэкIымрэ зыхуэдизыр къызэрагъэлъагъуэ рейтингми зыбжанэрэ и пашэ хъуащ КъБР-м и Iэтащхьэу щытыху. Иджы ар Уры- сейм и политик пщIэ нэхъ зыхуащIхэм ящыщщ. Ахэр бжыгъэ, гулъытэ къызэрыгуэкIыу зэрыщымытым щыхьэт тохъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIу щыщыта лъэхъэнэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэ-хэм нэрылъагъуу къапэкIуа ефIэкIуэныгъэр. Къапщтэмэ, мэкъумэшхэкI къыщIэгъэкIынымкIэ 2010 гъэм КъБР-р КИФЩI-м пашэ щыхъуащ. Социально-экономикэ зыужьыныгъэмрэ инвестпроектхэр къызэригъэсэбэпамрэ къапэкIуащ лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар, республикэм ику иту щат улахуэм, пенсэхэм зэрыхэхъуар, ухуэныгъэщIэхэр, Iуэху дахэхэр. Республикэм зиужьыным хьэлэлу зэрыхуэлэжьам папщIэ, Къанокъуэм къыхуагъэфэщащ Зэныбжьэгъугъэм и Орденыр (2007 гъэ), «Хэкум и щIыхь» орденыр, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и IV нагъыщэр (2010 гъэ), «Мамырыгъэмрэ псапэ зыпылъ Iуэхухэмрэ папщIэ» дыщэ медалыр (2008 гъэ). Къанокъуэ Арсен и жумартагъыр цIыхубэм ягъэунэхуащ псапэу ищIэмкIэ, махуэшхуэхэр, Iуэху дахэ-хэр къызэгъэпэщыным и мылъку зэрыхилъхьэмкIэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, абы и жэрдэмкIэ, езым и ахъшэкIэ иригъэщIащ Налшык къалэм дэт мэжджытыр, КъБР-р езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 450-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Мемориальнэ аркэр, Кавказ зауэжьым хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъыр, «Интурист» хьэщIэщыр, «Эльбрус» шхапIэр иджырей мардэм изагъэу зэригъэгъэпэщыжащ. ЗэрыжытIагъэххэ- щи, зызыщIигъэкъуа, зыдэIэпыкъуа цIыхухэм я бжыгъэр къэлъытэгъуейщ. Къанокъуэ Арсен Башир и къуэм и гъащIэр Iуэху зэхуэмыдэхэмкIэ гъэнщIащ — и гуфIэгъуи и нэщхъеягъуи дигуэшу, диIыгъыу абы къыдогъуэгурыкIуэ и щхьэгъусэ ФатIимэ, псапэу ищIэмкIэ республикэм къыщацIыхуа бзылъхугъэ гуакIуэр. Апхуэдэуи я ехъулIэныгъэхэм иригушхуэу бынищ зэдапI. А псори щыхьэт тохъуэ, Арсен политик, жылагъуэ лэжьакIуэ щэджащэу зэрыщытым нэмыщIи, и унагъуэ дахэмкIи зэрыщапхъэм. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101438.txt" }
Сыт «Circassia» щIыфIащар? Дуней хъурейр зы IуданэкIэ зэпызыщIэ Интернетым и фIыгъэкIэ умыщIэ куэд къызэрыпщIэм хуэдэ дыдэу, убэлэрыгъыу ущыщыуи къохъу. И щхьэусыгъуэр къыпхуэмыщIэу, укъыщигъэуIэбжьи къыпхуохуэ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Инджылызым щыIэ, тхьэмбылым къыщыхъей узхэр къызэрагъэнаIуэ Iэмалхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ хэгъэщхьэхукIауэ елэжь IуэхущIапIэ нэхъ инхэм я зым «Circassia» («Черкесия») цIэр зэрехьэ. Урыс-Кавказ зауэм и пэ къихуэу адыгэщIыр дунейм къызэрыщацIыхуу щыта цIэмкIэ зэджэ IуэхущIапIэм уадыгэу гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым, дауи. Ауэ сыту пIэрэ медицинэ IуэхущIапIэм апхуэдэцIэ щIигъуэтар? «Черкесия»-р — астмэр гъэхъужыным хухэха, а узыр къызэрагъэнаIуэ Iэмалхэм хэгъэщхьэхукIауэ елэжь IуэхущIапIэщ», — дыкъыщоджэ абы и Интернет-сайтым. 2006 гъэм къызэIуаха, 2014 гъэм зи акцэхэр Лондон биржэм изыхьа «Черкесия»-р Инджылызым къыщежьами, абы къыщIигъэкI хущхъуэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ Швециеми, США-ми, Китайми ирагъашэ, щIэупщIэшхуэ яIэщ. IуэхущIапIэр нэхъ зэрыцIэрыIуэр NIOX цIэр зезыхьэ препаратымкIэщ. «Астмэ зэуз дэтхэнэ зыми зэрыхъукIэ Iэмэпсымэ нэхъыфIхэр къыхуэгъуэту щытын хуейуэ къыдолъытэ дэ», — къегъэнаIуэ «Черкесия»-м и лэжьэкIэ мардэхэр. Жэуап зэкIэ къызыхуэдмыгъуэтыфа упщIэр зыщ: зи гугъу тщIы «Черкесия» IуэхущIапIэр адыгэхэм я тхыдэм зыгуэркIэ пыщIа? Хъыбарыр зэбгрызытыкIа «Nart_official» инстаграм напэкIуэцIым зэрыжиIэмкIэ, «Сыт фи IуэхущIапIэм апхуэдэцIэ щIефтар?» — жаIэу щеупщIам, жэуапу къратар мыращ: «Уз зэрыцIалэхэм пэув вакцинэр япэу къыщагупсыса хэгъэгум и цIэкIэ фIэтщащ». «Пэжкъым», — жытIэну тегъэщIапIэ диIэкъым. «Пэжщ», — жытIэн хуэдэуи, «Черкесия» IуэхущIапIэм ихъуреягъкIэ зэкIэ зыри къыщытхуэгъуэтакъым. Ауэ пасэ зэманым щегъэжьауэ адыгэхэм уз зэрыцIалэхэм Iэмал къыхуагъуэтыфу зэрыщытам и щыхьэтхэр мащIэкъым. «Сыту и щIыхуэшхуэ ттелъ дэ ипхъухэр дахэу къигъэнэн папщIэ, мышынэу, япэу фэрэкI узкIэ зыцIэла цIыхубзым! Сыт хуэдиз сабий къаIэщIиха абы фэрэкI узым и Iэ пхъашэм», — етх XVIII лIэщIыгъуэм Кавказым щыIа франджы узэщIакIуэ Гельвеций Клод. Адыгэхэм сымаджэр зэрагъэхъуж щIыкIэм и хъыбар гъэщIэгъуэн тхыдэм къыхинащ XIX лIэщIыгъуэм ди лъэныкъуэмкIэ къыщепсыха швейцар дохутыр Флориан Адриан Жили: «Шэч къызытехьэжын хуэмей Iуэхущ адыгэхэми шэшэнхэми удз хущхъуэхэм фIыуэ зэрыхащIыкIым ипкъ иткIэ, я уIэгъэ гъэкIыжыкIэ Iэмалхэр ди дохутырхэми къызэращтэм. Абы и щыхьэтщ полковник Эристов и Iэр пахыным Iуэхур нэсауэ и уIэгъэр е щекIуам щыгъуэ, бгырыс-дохутыр къраджэу, Iэр къызэрырагъэлауэ щытар». Иджыри зы хъыбар, Жиль къыбгъэдэкIыу: «Полковник гуэрым къыщыщIар имыщIэу, жьы къыпиубыду хъуат. Европэ дохутыр зригъэплъри, гууз иIэу къыжриIащ. Абы шэч къытрихьэри, Жэрмэт зи цIэ абэзэхэ дохутырым деж кIуащ. Ар сымаджэм къеплъщ, жиIэм едаIуэри, шым игъэшэсащ, и гъусэу иришажьэри, лъэсу Iуащхьэм дришеящ. ИтIанэ къыжриIащ: «Уи европей дохутырым жепIэжынуращ: мы уэ къэпкIуар къэзыкIум гууз иIэкъым. Узгъэхъужынщ, Тхьэм жиIэмэ». Жэрмэтыр махуэ зыбжанэкIэ къыкIэлъыплъащ, мазэм и щытыкIэм елъытауэ, дауэ ущыт, сыт зыхэпщIэр жиIэу, сымаджэм къыпкърыупщIыхьурэ, икIэм-икIэжым къыжриIащ и гукъыдэжыншагъэр маркуэм къызэрыхэкIыр». Дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ хамэ щIыпIэ къикIа зыплъыхьакIуэхэм адыгэхэм ерыскъыкIэ зэрырамыгъэлейм къыхэкIыу, зэрыузыншэм икIи зэрылъагъугъуафIэм гу лъатэу зэрыщытар. Нэмыцэ-урыс генерал Бларамберг Иоганн абы теухуауэ етх: «Абыхэм (адыгэхэм) Iуэхуншагъэмрэ ныбэизыгъэмрэ къыдэкIуэ узхэр яIэкъым. УIэгъэхэмрэ шынхэмрэ зэрагъэхъуж Iэмалхэр къуэм адэм къыIэпихыу ящIэ». Зи хъыбар нэгъэса дымыщIэ «Черкесия»-м ахэр къэтщIэжыну Iэмал къыдитащ. Инджылыз IуэхущIапIэм и фIэщыгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуари гува-щIэхами, наIуэ къэтщIынщ. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101441.txt" }
Саугъэт лъапIэр зыхуагъэфэща Къардэн Ренат КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студент Къардэн Ренат Ежевский А. А. и цIэр зезыхьэ саугъэтым и лау-реат хъуащ. Зи гугъу тщIы саугъэтыр зыгъэува «Росспецмаш» зэгухьэныгъэм иджыблагъэ хэIущIыIу ищIащ мэкъумэш Iэмэпсымэхэм елэжь конструктор щIалэхэр щызэпеуа зэхьэзэхуэм щытекIуахэм я цIэхэр. Ар екIуэкIащ Урысейм Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту. Саугъэтым и лауреат хъуащ КъБР-м, Приморскэ, Пермь, Краснодар, Пензэ, Кемеровэ крайхэм, Ульяновскэ, Челябинскэ областхэм икIахэу студент 11. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу зэпеуэм хэтащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Мэкъумэш университетым и еплIанэ курсым щIэс Къардэн Ренат. Инженер щIалэм утыку ирихьащ джабэ нэкIухэм щагъэкIа хадэхэм узэрыщылэжьэну агрегатым и проект. Абы и унафэщIу щытащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хьэжмэт Лиуан. КъэпщытакIуэ комиссэм хэтащ мэкъумэш Iэмэпсымэхэр къыщIэгъэкIынымкIэ Урысейм щыпашэ заводхэу «Ростсельмаш», ФГУП НАМИ хуэдэхэм я лэжьакIуэхэр, УФ-м Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэм, СМИ-м я лIыкIуэхэр. Абыхэм къалъытащ утыку кърахьа лэжьыгъэ-хэр иджырей зэманым хуэфащэ мэкъумэш Iэмэпсымэу. Зэпеуэм къигъэлъэгъуащ Урысейр зыщыгугъ хъун, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ, мэкъумэш Iэмэпсымэхэм елэжьыфыну инженер щIалэгъуалэ зэрыщыIэр, абдеж дыдэми унафэ къыщащтащ зэхьэзэхуэм хэта щIалэхэр я зэфIэкIым зыщрагъэубгъуфын лэжьапIэ ягъэувыну. Саугъэтхэр текIуахэм къыщратыжынущ Дон Iус Ростов къалэм дэт «Ростсельмаш» IуэхущIапIэм щекIуэкIыну пшыхьым. Къудей Iэминэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101443.txt" }
Мэзхэр дывгъэхъумэ «Экологие» лъэпкъ проектым хыхьэу ди къэралым щокIуэкI «Мэзхэр тхъумэнщ» зи фIэщыгъэ урысейпсо Iуэхугъуэр. Абы и щIыналъэ Iыхьэр гъэзэщIэн Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIадзэнущ щэкIуэгъуэм и 13-м щегъэжьауэ. Къыхэгъэщыпхъэр аращи, къэрал псом зыщызыубгъу щIыхьэхур къыхэлъхьэнымкIэ жэрдэмыр зейр волонтёрхэм я зэгухьэныгъэу «Фэеплъхэм я жыг хадэ» зыфIащарщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым зи гугъу тщIы проектым и унэтIакIуэщ республикэм ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэр. Iуэхугъуэхэр дызэрыт мазэм и кIэ хъуху республикэм и щIыналъэ псоми щекIуэкIынущ. Апхуэдэу, КъБР-м и къалащхьэм ТекIуэныгъэм и цIэр зезыхьэ паркым щIыхьэхум хэтынухэм щыхасэнущ кIей, блашэ, Iэней, жыгей, пхъэмыфей, дей жыгыщIэхэу зи бжыгъэр, псори зэхэту, 250-м нэблагъэр. Ахэр кърашынущ къыщагъэкIа IуэхущIапIэу «Къэбэрдей-Балъкъэр мэз питомник» зи фIэщыгъэм. ЩIыхьэхум хэтынущ КъБР-м щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильясрэ зи пашэ гупымрэ, республикэм и мэз хозяйствэмрэ ар хъумэнымрэ пыщIа IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр, волонтёрхэр. Гу лъытапхъэщ «Мэзхэр тхъумэнщ» проектыр илъэс ещанэ хъуауэ УФ-м зэрыщекIуэкIыр. А зэманым къриубыдэу, ди къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм жыгыщIэу щагъэтIысам я бжыгъэр мелуан 80-м щIегъу. ЕзыгъэкIуэкIхэм зэрыжаIэу, Iуэхугъуэм и къалэн нэхъыщ- хьэр, зэман кIыхьым къриубыдэу, Урысей Федерацэм и мэзхэр хъумэн, абы къыдэкIуэуи, гъэбэгъуэжын зэрыхуейм жылагъуэр егъэгупсысынырщ, хузэщIэгъэуIуэнырщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Экологие» лъэпкъ проектым «Мэзхэр тхъумэнщ» и Iыхьэр ди щIыналъэм гъэзэщIа щыхъуным хуэгъэзауэ, ди республикэм федеральнэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 31-м нэблагъэ гъэ дызэрытым къриубыдэу къыхуаутIыпщащ. Апхуэдэуи, ди щIыналъэм зи гугъу тщIы проектыр щыпхыгъэкIыным хуэунэтIауэ, «Къэбэрдей-Балъкъэр мэз питомник» IуэхущIапIэм щылажьэхэм республикэм и мэзхэм гъатхэ кIуам щыхасащ зи лъабжьэр иубыда жыгыщIэу мин 420-м щIигъур. БЭРАУ Бышэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101445.txt" }
Мыжевских Вадим: Уи щэнхабзэр пхъумэн зэрыхуейм и щапхъэщ адыгэхэр Илъэс зыбжанэ мэхъу Витебск дэт Музыкальнэ колледжым и студент, белорус щIалэ Мыжевских Вадим кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэм щыгъуазэ зэрыхъурэ. Адрейхэм къахигъэщу, Вадим итхьэкъупащ адыгэхэм ейм. — Зэгуэр инстаграмым щызэбграх хъыбарыщIэхэм срижэурэ, Нэхущ Тимур и «Бей къудэ, бей дан» псынщIэрыпсалъэм срихьэлIащ, — игу къегъэкIыж ныбжьыщIэм. — Си пщIыхьэпIэ къыхэхуакъым ар ягъэзащIэурэ зэIэпызыххэм сазэрыхыхьам Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдизу цIэрыIуэ сыщищIыну. ЩIэныгъэм и хьэтыр зылъагъу дэтхэнэ цIыхуми къыдекIуэкI хьэлщ гъунэгъум деж щыщIэдзауэ жыжьэ щыпсэу хамэм нэс и Iуэху зыIутыр зригъэщIэныр, нэгъуэщI лъэпкъхэм къадекIуэкI фIым дэплъеиныр. Вадим зэрегупсысымкIэ, апхуэдэущ цIыхум и къэухьым зэрызригъэужьри и хьэлыр зэрызэтеувэри. — Сэ адыгэ лъэпкъым пщIэшхуэ хузощI, псом хуэмыдэу я щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ щIыхь зэрыхуащIым къыхэкIкIэ, — жеIэ езы Вадим. — Нобэрей щIалэгъуалэм ящыщу зэплъэкIыжыр, езыр къызытехъукIахэм я блэкIам егупсысу къэгъуэгурыкIуэр мащIэщ. Адыгэхэр щапхъэу къыщIэсщтар я нэхъыжьхэм къащIэнар яхъумэныр къалэну зэрызыхуагъэувыжырщ. Минск дэт лъэпкъ библиотекэм Къущхьэбий Анзор и тхылъ къыщызгъуэтащ адыгэхэм я тхыдэм теухуауэ. Унэм пхьыну къуатыртэкъыми, сыхьэт зыбжанэкIэ тхылъ хъумапIэм сыщIэсащ абы седжэу, фIыуэ слъэгъуа лъэпкъыр нэхъыфIу зэзгъэцIыхун папщIэ. Гуращэм утеIэбэным нэхърэ нэхъ гухэхъуэ сыт щыIэ? Мыгъэрей гъэмахуэм Витебск щрагъэкIуэкIащ «Славян бэзэр» зи чэзу ещэщIанэ дунейпсо фестивалыр. Адрей лъэпкъхэми я гъусэу, абы хэтыну ирагъэблэгъат «Кабардинка» къэфакIуэ ансамблымрэ Кавказ Ищхъэрэм и республикитхум я цIыхубэ артист Нэхущ Чэримрэ. Вадим апхуэдэ Iэмал зыIэщIигъэкIынт? Куэдрэ мыгупсысэу, щIалэ жыджэрыр КъБР-м и лIыкIуэхэр зригъэцIыхуну «Iупхъуэ къуагъ» уэршэрым хохьэ. Ди республикэм цIыху куэд къинэжа къыщIэкIынкъым белорус щIалэм адыгэбзэкIэ псынщIэрыпсалъэ къыжьэдэлъэлъу Нэхущ Чэрим щыбгъэдэт видеоролик цIыкIур имылъэгъуауэ. Мыжевских Вадим зэрыцIыкIурэ къэфэным дехьэх. Интернетыр къигъэщхьэпэурэ, абы адыгэ къэфэкIэми зригъэсэну мурад ищIащ икIи абы Белоруссием къыщигъуэта ди лъэпкъэгъу щIалэ Къармэ Алим и гъусэу «лъапэрисэр» мыгувэу игъэзэщIащ. Къафэм къыкIэлъыкIуащ виолончель IэмэпсымэмкIэ игъэзэщIа «Адыгэ нысэр». ГъэщIэгъуэнращи, Вадим адыгэхэм я щэнхабзэм зэрызыщигъэгъуазэр музыкэмрэ къафэхэмкIэщ, абы-хэм ятеухуауэ къеджэ къудей мыхъуу, зытепсэлъыхьым зригъасэурэщ. Иджыблагъэ щIалэр яужь ихьащ адыгэбзэр зригъэщIэну. — ФIыщIэ яхузощI чэнджэщэгъу къысхуэхъу зэ- пыт Битокъу зэкъуэшхэу Беслъэнрэ Науркъанрэ. Абыхэм я лъэпкъ щэнхабзэм и щэху сэр-сэру зыгурызмыгъэIуэфынухэм щыгъуазэ сащI. Уэрэдхэр зэзгъэщIэну сыщыхуежьэм, бзэр сымыщIэу жыжьэ сызэрынэмысынур къызгурыIуащ. ЗэкIэ зи ужь ситыр къэбэрдей диалектырщ, абыкIэ дэIэпыкъуэгъу къысхуохъу Шэджэм щыщ Щад Заур. Ари щызэзгъэцIыхуар интернетырщ, — жеIэ Вадим. Белорус щIалэм и гуращэ нэхъыщхьэр Налшык къэкIуэнырщ. Абы бысым хуэхъунухэм зэкIэ япэ итыр лъэпкъ дауэдапщэхэр нэгъэсауэ езыгъэкIуэкI Битокъу Науркъанщ. — СфIэфI дыдэу Вадим Налшык щызгъэхьэщIэ-нущ, — жеIэ езы Науркъани. — Ди шхыныгъуэхэр Iузгъэхуэну, ди нысашэхэм хэзгъэплъэну сыхуейщ. Вадим зэчий зыбгъэдэлъ щIалэщ, абы къыхэкIыу, IэщIагъэм и IуэхукIи жыжьэ нэсыну къысщохъу. Къудей Аминэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101448.txt" }
Нэр дахьэхрэ псэр яхьэхуу СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Гуданаев Борис и гъэлъэгъуэныгъэ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар Iуэху дахэщ — и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуарщ. Гуданаев Борис 1951 гъэм Къэзахъстаным и Головачевкэ къуажэм къыщалъхуащ. 1983 гъэм абы къиухащ ЖивописымкIэ, скульптурэмрэ архитектурэмкIэ академиеу Репин И. Е. и цIэр зезыхьэр (Ленинград), 1986 гъэм — ХудожествэхэмкIэ Урысей академием монументальнэ живописымкIэ и творческэ мастерскойр. Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм 1989 гъэм къыщыщIэдзауэ хэтщ, 2016 гъэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI» цIэ лъапIэр къыфIащащ. ХудожествэхэмкIэ Урысей академием щIыхь зиIэ и академикщ (2018), 1985 гъэм щегъэжьауэ ди республикэм, абы и гъунэгъу щIыналъэхэм щекIуэкIа, урысейпсо, лъэпкъ зэхуаку мыхьэнэ зиIэ гъэлъэгъуэныгъэхэм и IэдакъэщIэкIхэр хэтащ. Борис и лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ зэрыратым и щыхьэту, ахэр щахъумэ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и ЩIэныгъэ- къэхутакIуэ институтым, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ А. и цIэр зезыхьэм, Ставрополь крайм СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм, Краснодар и ЩIына- лъэ художественнэ музей, апхуэдэуи художественнэ галерее-хэм, ди къэралми нэгъуэщI хэгъэгухэми я коллекционерхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ. ЖыпIэнурамэ, Борис и гъащIэ псор гъуазджэм хуэлэжьэным триухуащ. Абы и гуащIэм къызэщIеубыдэ хьэуа къабзэм и жьы гуакIуэр къызыпих IэдакъэщIэкIхэмрэ цIыхум и хьэл-щэныр къызэрыбджыкI сурэтхэмрэ скульптурэр лъабжьэ зыхуэхъу лэжьыгъэхэмрэ. Гуданаевым и къалэмыпэм къыпыкIащ Iуащхьэмахуэ районым, ди республикэм и щIыналъэ щхьэхуэхэм я дахагъэр, абы и цIыху цIэрыIуэхэр наIуэу ди нэгу къыщIэзыгъэувэ лэжьыгъэхэр. ЖытIа псом я щыхьэтщ музейм и бжэр зэрыIупхыу уи пащхьэ къихутэ лэжьыгъэхэр. Япэ пэшым къыщыщIэдзауэ псоми щIэплъагъуэр нэр дэзыхьэх, псэр зыхьэху защIэщ. Плъыфэбэу зэщIэжьыуэ удз гъэгъахэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ уи гур гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэкIэ ягъэнщI, цIыху щхьэхуэхэм, КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ яхэту, я су-рэтхэм гушхуэныгъэ къыпхалъхьэ, философие гупсысэ куу зыщIилъхьа IэдакъэщIэкIхэми «къыбжаIэр», гугъуехь лъэпкъ хэмылъу, къыбгуроIуэ. «Жэнэтым кърахуахэр», «Лъыпэ къигъэкIын», «Уэшх нэужьым», «Пщыхьэщхьэ», нэгъуэщIхэми я фIэщыгъэм къагъэлъагъуэ абыхэм псоми нэхугъэ гуэррэ гупсысэ куурэ зэращIэлъыр. — ФэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъу жысIэнщи, Гуданаев Борис сэ нэхъыфI дыдэу слъагъу сурэтыщIхэм ящыщ зыщ, — жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. — Псом хуэмыдэжу сыдехьэх абы плъыфэхэр зыми емыщхьу къызэригъэсэбэпым, зэрызэхилъхьэм. УзыIэпешэ, узрегъэплъ, узыщIегъэгупсысыж… аракъэ нэхъыщхьэу гъуазджэм хэлъри?! Сурэтхэр ар зыщIам ещхьу къызолъытэ сэ. Борис езыр цIыхуфIщ, цIыху хуабэщ, цIыху щабэщ, аращ и сурэтхэми гуапагъэ мыкIуэщIыр къащIыпкърыкIыр. АдэкIэ зэIущIэм къыщыпсэ- лъащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий, ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ, Гуданаевым и ныбжьэгъуфI Зумакулов Борис, ди республикэм и ТхакIуэхэм я союзым и правленэм и тхьэмадэ Беппаев МутIэлип, коллекционер Локьяев Рашид сымэ. Абыхэм зыжьэу жаIащ мы гъэлъэгъуэныгъэр Гуданаевым къилэжь пщIэм зэриIыхьэ ма-щIэр, и сымаджагъэм къыхэкIыу зэIущIэм къызэрыримыхьэлIэфар абы и жагъуащэ зэрыхъур, екIуу, дахэу зэрекIуэкIар зэрыхуаIуэтэ-жынур. Гъуазджэм фIыуэ хэзыщIыкIхэр, ар нэгъэсауэ къызыгурыIуэхэр тепсэлъыхьащ Борис и гуащIэм, ар сурэтыщI Iэзэу, гуащIафIэу зэрыщытыр къыхагъэщащ. Адрейхэм япэ къафIищырт и цIыхуфIагъымрэ и гу пцIанагъэмрэ. Дауэ мыхъуми, а Iуэхугъуэхэм зэкIэщIэчыпIэ яIэу си гугъэкъым, псори щызэгъусэм и деж тIэунейкIэ, нэхъыбэжкIэ цIыхум и мыхьэнэр багъуэу аркъудейщ. Аращи, хужаIа псалъэ гуапэ псори зи махуэр зыгъэлъа-пIэ IэщIагъэлIым и деж нэсыжы-ну, абыхэм гукIи псэкIи щыгуфIыкIыну дэри ди гуапэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ Гуданаев Борис и гъэлъэгъуэныгъэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм иджы япэу къыщызэIуахыу зэрыарар. Ар екIуэкIынущ щэкIуэгъуэм и 28 пщIондэ. Мы махуэхэм къалэдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ зрагъэлъагъуфыну IэдакъэщIэкIхэр, къанэ щымыIэу, уней гъэтIылъыгъэхэм хэлъ защIэщ. ИСТЭПАН Залинэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101451.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Iуащхьэмахуэ и адэ Шэджэмыпсымрэ Кестантэрэ щызэхэж щIыпIэм дежщ Шэджэмыщхьэ вулканыр здыхуэзэр. КъызэрыщIэкIамкIи, ар дуней псом щыцIэрыIуэ ди Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьщ, Кавказым и налкъутыр къызытекIари аращ! А вулканыр куэдым яцIыхуркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъахъшэщ икIи мэщэщэж. Ауэ ар апхуэдэу сытым дежи щытакъым. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, Шэджэмыщхьэ вулканыр 8 нэхърэ мынэхъ мащIэу къикIащ икIи и еянэ къибыргъукIыгъуэр илъэс щитхукIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа цIыхухэм ягъэунэхуащ! Географ цIэрыIуэ Страбон и тхыгъэхэм (ди эрэм и пэщIэдзэм Кавказ Ищхъэрэм и географием нэхъ щыгъуазэу щыта, абы теухуауэ тхыгъэ куэд къызэзынэкIа алыдж географщ) дызытепсэлъыхь вулканыр белджылыуэ къахощыж. А вулканыр егъэлеяуэ абрагъуэу щытащ, ауэ и къикIыгъуэ къэс и лъабжьэр ехым-ехыурэ, Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIу хъужащ. Хэт ищIэнт зы зэман Шэджэмыщхьэ вулканым и зы къикIыгъуэм и Iэужьу къэунэхуа Iуащхьэмахуэ езым нэхърэ нэхъ лъагэ хъуну?! Вулканым и хъуреягъыр бгыщ, дэнэкIэ умыплъэми. А лъагапIэм щыIа цIыху закъуэтIакъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зы макъи щызэхэпхыркъым, зы псэущхьи бзуи щыплъагъуркъым, къапщтэмэ, хьэуари и пIэм ижыхьауэ пIэрэ жыуегъэIэ, апхуэдизкIэ даущыншэщи. Зыгуэр къыпкIэлъыплъ хуэдэ, уи щхьэщыгум ныбжь гуэрхэр къиувэу къыпщохъу. Нэхъ гъэщIэгъуэнращи. хьэршым къикIыу, зищIысыр къамыхута гуэрхэр мы щIыпIэ-хэм къыщхьэщыхьэу, тэлайкIэ заIэжьа нэужь бзэхыжу жаIэ. Дохъушокъуэ Синэ. Гу щIыIэ Зэгуэр сэ хуабэу сыщытат. Гуныкъуэгъуэ ущиIи, зэшыр къыщыптеуи, цIыхухэм уакъыщыгурымыIуи укъакIуэрти, къыспкърыкI хуабэм зеб-гъэурт. Утезгъэужырт, уи гур пхуэзгъэIэфIыжырт. Си бжэр пхузэIусхати, ухуеиху укъыслъихьэрт. Сыкъэплъыхъуэн хуеи хъуртэкъым, сыт щыгъуи пщIэрт сыздэщыIэр. ПщIэнтэкъэ, абы фIэкIа Iуэху симыIэу, сыппэплъэу уи гъуэгум сыщытеткIэ? Уэ гуауэ къыплъысамэ, сэ сынэщхъейт, лъэпощхьэпо уIууамэ, уи япэ сиувэрти, уи Iуэху пхузэфIэзгъэкIырт. Си гупсысэр птезухуэщати, сэ езым гъащIэ сызэриIэр сIэщIэгъупщыкIыжауэ, ууеймкIэ сыпсэурт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уэ сыпхуэпсэурт… Арати, уэ ущыкIащ. УщылъэIуэн хуейм дежи унафэ пщIы хъуащ. Уи псалъэхэм я Iэужь си уIэгъэхэр къибдзэртэкъым. Зызэхуэсшэурэ, умылъагъужыххэн хуэдиз сыхъуат. Хуабагъэ гуэри къыспкърыкIыжыртэкъым. СиIэжтэкъым гукъыдэж. Уэ кIэбгъу зыпщIыжри, уи хъуреягъыр къебгъэбыдэкIыжащ. Упсэуащ апхуэдэу зыкъомрэ. Хуабагъэу сэ ныпхэслъхьар бухыху. ИтIанэ-щэ?! Узэса гуапагъэр нэгъуэщIыпIэ щыщумыгъуэтым, уигу къэкIыжащ сызэрыщыIэр. Си деж укъэзышэу щыта, банэмрэ къуацэ-чыцэмрэ зэщIабла гъуэгур къэбгъуэтыж-ри укъытеувэжащ. Нэхъапэм хуэдэжтэкъым гъуэгур. КIыхьт, быркъуэшыркъуэт. Лъагъуэ бгынэжа гуэрт. Гъуэгу зэщIэкIар бгъэкъэбзэжурэ бжэIу- пэм нэс укъэкIуащ. УзэрыщIегъуэжар къызыхэщ псалъэ гуэрхэр схуэбгъэхьэзырауэ уи бзэгупэм телът. Ухьэзырт укъызэрысIуплъэу, а псор къыстебгъэлъэлъэну. ИтIанэ успхъуэтэжын пфIэщIу къыщIэкIынут. Ауэ сэ иджы сы гу щIыIэт. ПщIэжрэт, зызэхуишэурэ ужьыхыжа гу цIыкIур?! АтIэ мис ар уэлбанэм хиубыдэри, зыгъэхуэбапIэ имыгъуэтурэ диящ, щтащ. Уэ хуабапIэу уиIам игъуэтыжакъым езыр зыгъэхуэбэн. Си бжэIупэм IуищIа мылым ущытеувэм, ущIэцIэнтхъури утехуащ. УкъызэфIэувэжыну къару щумыгъуэтым, укъэпщу ухуежьащ. Ари пхуэздакъым. Жьапщэмрэ уаемрэ уэсщIэкIри, укъыIузгъэхьакъым. Сылеймыгъэгъут. Сы гу щIыIэт. УэркIэ сы гу щIыIэт. Гугъуэт Заремэ. Зи игъуэр дахэщ КъыптекIуэр лъэщщ. МафIэм сахуэ ещIри, дзэм шхахуэ ищIыркъым. Шу гъуэгурыкIуэм бзыпхъэ трех. Хамэхьэр къохьэри, унэхьэр иреху. ЗыщI нэхърэ еплъ нэхъ Iэзэщ. Джэду здэщымыIэм дзыгъуэ щоятэ. Мыдэф и Iуданэ кIыхьщ. Зи игъуэр дахэщ. Ныбгъуэр бгъасэми, хьэсэр и плъапIэщ. Хейм и лъыр хамэм ещIэж. Хуарэр дэхуэхмэ, гум йокъу. ЦIыхум я фэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, ягури зэхуэдэкъым. Лыр быдэмэ, серчэм хэвгъэлъ Пхъэщхьэмыщхьэ компот щывгъавэкIэ, шыгъу тIэкIу хэфлъхьи, фошыгъуу ихьынур нэхъ мащIэщ. * * * Кхъуейлъалъэр гуащIэ хъуамэ, шэм зы сыхьэт хуэдэкIэ хэвгъэлъи, гуащIагъэр щIэкIыжынущ. * * * Бдзэжьейр щывгъажьэкIэ, пIащIэу зэтегъэжауэ кIэртIоф тIэкIу дэвгъажьи, бдзэжьеимэр игъэкIуэдынущ. * * * Бжьыныр фымыгъэлыбжьэ и пэкIэ хьэжыгъэм хэфкухьмэ, и фэр тхъуэплъ дахэ хъунущ. * * * Пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуар япэщIыкIэ псы хуабэм сыхьэтищ хуэдизкIэ хэвгъэлъмэ, компот вгъавэм и фэр нэхъ дахэ, езыри нэхъ гурыхь хъунущ. * * * Пхъыпсым тхъуцIынэ тIэкIу хэплъхьэмэ, нэхъ гуакIуи, нэхъ IэфIи мэхъу. * * * Бдзэжьейр щыбгъажьэкIэ мащIэ-мащIэурэ псы тIэкIу щIэпкIэмэ, нэхъ IэфIи, нэхъ щаби мэхъу. * * * Лыр быдэмэ, вгъэжьэн и пэкIэ серчэм тIэкIурэ хэвгъэлъ. Къэб зыдэлъ хьэлывэ ПщагъэкIэ япща тхьэвыр гуэдз хьэжыгъэ зытегъэщэща Iэнэм тралъхьэри, я хьэлъагъыр г 60-70 хъу Iыхьэурэ зэпаупщI, я Iувагъыр мм 2 — 3 хъууэ яху, къэб хьэжар тралъхьэри, тхьэв кIапэхэр зэрагъэубыд. Хьэлывэр тхъу зыщыхуа тебэм иралъхьэ, хьэкулъэм ирагъэувэри, хьэзыр хъуху, дакъикъэ 20 — 25-кIэ, ягъажьэ. Хьэлывэм дэлъынур: зи фэр нэхъ Iув къэб къащтэ, ятхьэщIри, ялъэщIыж, IупщIэурэ зэгуауд, и кум жылэри лъэхъыцхэри кърах, и фэр трагъэж, къэнар лыхьэжым щIагъэкI. Абы фошыгъу халъхьэ, зэIащIэри и щхьэр тепIауэ дакъикъи 10 — 12-кIэ щIыIапIэм щагъэт. Псы лей къыщIэжамэ, щIакIэж. Халъхьэхэр: Тхьэвым: гуэдз хьэжыгъэу — г 500, шэуэ — г 250-рэ, пщагъэу — г 40, шыгъуу — г 5, фошыгъуу — г 30. Хьэлывэм дэлъынур: къэбу — г 700. Къубатий Борис. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 1. Псыхьэ щыкIуэкIэ пэгунитIыр абы фIадзэ. 5. Нарт Щэуей и адэр. 7. ЦIыхур къызытепщIыкIауэ къалъытэ псэущхьэ. 8. Гъэгъа хужь Iэрамэхэр куэду къызыпыкIэ жыг. 9. Аушыджэр къыщалъхуа тхакIуэ. 10. Къуалэбзу пIащэ. 15. А хьэкIэкхъуэкIэм «лъэбыцэжькIэ» йоджэ. 16. ХадэхэкI. 17. Фэншэ, теплъэншэ. 18. КIуэ пэтми гущэм … икIуркъым. 19. ЩIакхъуапхъэ. Къехыу: 2. ЩэкI кIапэ. 3. Уэс зэратхъу. 4. Къуэпс кIыхь, лъэдий быдэ зиIэ, шэмэджыр «зыгъэтхьэусыхэ» удз. 5. Хэтхэ я унэ … тес? 6. Адыгэ уэрэдыжь цIэрыIуэ «Щауэ …». 11. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, егъэджакIуэ, литературэ лэжьакIуэ … Хьэмыщэ. 12. А цIэр зэрихьэу ди республикэми Къэрэшей-Шэрджэсми къуажэ щыIэщ. 13. Унагъуэ къулейм я IуэхутхьэбзащIэ. 14. ЦIыхубз пшэрыхь … Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. ЩэкIуэгъуэм и 3-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 1. Ахьмэдхъан. 2. Къузгъун. 6. Уд. 8. Хьэ. 10. Акъсырэ. 12. Жэп. 13. Сэхъу. 14. Хъэрахъэ. 15. Сэ. 16. ГъущI. 18. Баку. 20. Бзэгузехьэ. Къехыу: 1. Арму. 2. Мэкъу. 3. Хъан. 4. Налъэ. 7. Дапхъэ. 8. Хьэсэгъу. 9. Бжы. 11. Пхъужь. 15. Сэмб. 17. ЩIакIуэ. 18. Блэ. 19. Уае.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101456.txt" }
Тыгъэм я нэхъ лъапIэр Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Агуий-Шапсыгъ адыгэ къуажэм и «Шууей Хасэ» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ зэхуаку къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ екIуэкIащ. Абы «Шууей Хасэм» 2021 гъэм къызэригъэпэща Iуэхухэр, зыхунэса- къехъулIахэр къыщапщытэжащ, дызыхуэкIуэ илъэсы-щIэм я мурадхэр щагъэбелджылащ. ЗэIущIэм нэгъуэщI зы Iуэху дахи кърикIуащ: Хасэм хэт адыгэ шууейхэм къабгъэдэкIыу спортсмен цIэрыIуэ Игольников Михаил тыгъэ хуащIащ «ТАИК» шэщым къыщыхъуа, илъэсищ зи ныбжь къэбэрдеишыр — «Албэч» зыфIащар. Ар къытехъукIащ «Ашэбей» шым. Европэм тIэунейрэ и чем- пион Игольников Михаил и анэр шапсыгъщ. Михаил адыгэ фащэ зыщитIэгъэну фIэфIщ, ди лъэпкъым и тхыдэмрэ и щэнхабзэмрэ дехьэх. Къыхуэтыр зы адыгэшти, тыгъэм щыгуфIыкIащ. Агуий-Шапсыгъым и нэхъыжь Iумахуэхэр «Шууей Хасэм» хэтхэм ехъуэхъуащ IуэхуфI ирагъэжьар къайхъулIэну. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101461.txt" }
Мулай Алихъан: ГъащIэр зыгъэдахэр IуэхущIафэрщ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэу илъэс куэдкIэ щыта, иужьрей илъэс 30-м «Шэ-джэм псыкъелъэхэр» ансамблым и художественнэ унафэщI Мулай Алихъан и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу нобэ. Лэжьыгъэр фIыуэ зы- лъагъу, зыпэрыт IэнатIэр езыгъэфIакIуэ цIыхум сыт зэмани пщIэ хэха хуащIу къокIуэкI. Апхуэдэу пщIэ къалэжь зи зэфIэкIым хэзыгъахъуэу псэухэми. Мулайм къикIуа гъуэгуанэм, абы и творческэ лъэужьым ириплъэ дэтхэнэми ар ищхьэкIэ зи гугъу тщIахэм зэращыщыр тыншу къыгурыIуэнущ. Ауэ ар абы тыншу хуэкIуауэ жыIэгъуейщ. Ди лIыхъужьым лъэпкъ щэнхабзэм, макъамэм пасэу гу хуищIати, къэжэпхъмэ, нэхъ куууэ абы зритын мурад иIэт. АрщхьэкIэ… Илъэс 12-м иту абы и адэр дунейм ехыжри, унагъуэм я бын пажэ Алихъан нэхъыжь къалэнри унагъуэ зехьэнри и пщэ къыдэхуащ. И анэм гугъуехьыр дигъэпсынщIэну 8-нэ классым къыщIэкIат ар. ИужькIэ, и адэм и лъэужьым тетын мурад иIэу, КъалэкIыхьым (Прохладнэ) дэт ветеринарнэ техникумым щIэтIысхьати, а IэщIагъэм игури и псэри щыхэмыхьэм, къигъэнэжащ. Я гъунэгъу щIалэр щеджэ ГПТУ №2-м, Налшык дэтым, къафэмкIэ къыщызэра-гъэпэща гупжьейм Алихъан щригъэблагъэм, куэдрэ мыгупсысэу кIуат. А гупжьейм ПрофтехегъэджэныгъэмкIэ управленэм и балетмейстер нэхъыщхьэ Къудей Мухътар зэгуэрым кIуауэ щIалэщIэм и зэфIэкIым гу лъитэри, «Кабардинка» ансамблым иригъэблэгъащ. Абы щыгъуэ ансамблым и балетмейстер нэхъыщхьэр Ульбашев Мутайт. А лъэхъэнэр Алихъан игу къыщигъэкIыж-кIэ, игу зэрыхэхъуэр нэры- лъагъущ. «ЩIэрыщIэу сыкъалъхужам хуэдэт. ХъуэпсапIэу сиIэр къафэм ехьэлIауэ щытати, гъащIэм апхуэдэ Iэмал къыщызитым, гъуэгу захуэм сызэрытетыр къызгурыIуащ», — игу къегъэкIыж абы. «Кабардинка» ансамблым хэту Мулайм дунейр къызэхикIухьащ. Зи утыку итыкIэм куэд итхьэкъу къэфакIуэ Iэ- зэм чэнджэщэгъурэ гъэса- кIуэу иIар РСФСР-м щIыхь зи- Iэ и артист Алэкъей Мухьэ-мэдщ. Алихъан и псалъэхэм къазэрыхэщымкIэ, ар куэдым тезыгъэгушхуари, къэфакIуэ Iэзэ къыхэкIыну и фIэщ зыщIари Мухьэмэдщ. Дуней зылъэгъуам жиIэжын и мащIэ?! Алихъан къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыщыIам, зэрагъэхьэщIам, ансамблым хуаIэта Iэгуауэ инхэм, тыгъэ лъапIэхэм ятеухуа хъыбар дахэ и куэдщ, дауи! Абыхэм ящыщщ Иорданием зыкъыщагъэлъэгъуа иужькIэ, къэралыгъуэм и пащтыхь Хъусейн гупым я зэфIэкI лъагэм апхуэдизкIэ итхьэкъуати, «Хьэшимит пащтыхь къэралыгъуэм и медаль» дамыгъэ лъапIэр къахуигъэфэщауэ зэрыщытар. Ансамблыр гуапэ дыдэу щрагъэблэгъат Доминикан Республикэми. А лъэхъэнэм абыхэм Совет Союзым иджыри дипломатие зэпыщIэныгъэ къыхуаIэтэкъым. Къэралым и Президент Карлос Хосе «Кабардинка»-р и деж ири-гъэблагъэри игъэхьэщIауэ щытащ. Экваторыр 4 зэпиупщIащ Мулайм. Абы ансамблым и ежьэгъуэ дэтхэнэри ещIэж. ЦIыхур къыщыпцIыхур гъуэгурауэ жаIэри, Мулайр апхуэдизрэ зи гъусэу ежьа гупым ятеухуа псалъэ гуапэхэм щысхьыркъым. Дунейр зылъэгъуа, щэнхабзэ куэдым я фIагъ хэплъа ди лъэпкъэгъум жеIэ, адыгэм хуэдэу щэнхабзэ бей зиIэ зыщIыпIи щимылъэгъуауэ. УэрэджыIакIуэ, артист пажэхэу Къуныжь Хьэждал, Нэхущ Чэрим, Лосэн Тимур, ГъукIэлI Исуф, Блашэ Владимир, Хьэщхъуэт Анжелэ сымэ хэту 1992 гъэм Алихъан къызэрегъэпэщ «Шабзэ» ансамбль лъэщ. Абыхэм пасэрей уэрэдхэри иджырейхэри ягъэзащIэ. Ауэ, 1995 гъэм ансамблым сомкIэ къадэIэпыкъун зэрамыIэм къыхэкIыу, зэбгрыкIыжын хуей хъуащ. Алихъан къыщалъхуа къуажэм игъэзэжри, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ къэгъэщIэрэщIэжыным и гуащIэ хилъхьэу лэжьащ. Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м и унафэщI Ахъуэхъу Къанщобий ар иригъэблагъэри, ныбжьыщIэ гупым я балетмейстеру лэжьащ. Къуажэм дэт Щэнхабзэм и унэм и балетмейстер ящI куэд мыщIэу. А зэманым Мулайм хузэфIэкIащ ныбжьыщIэ куэд къафэм дригъэхьэхын, лъэпкъ щэнхабзэм и IэфIагъыр къагуригъэIуэн. ЩIыпIэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щыта Къуэныкъуей Борис 1995 гъэм Алихъан «Шэджэм псыкъелъэхэр» ансамблым и балетмейстеру ирегъэблагъэ. Абы щылэжьэн щIидза нэужь илъэсищт дэ- кIар ансамблыр Голландием щекIуэкIа фестиваль иным зыкъыщигъэлъагъуэу, япэ увыпIэмрэ дыщэ медалымрэ къыщыхуагъэфэщам. 1997 гъэр хуэфIащ ди лIыхъужьым. Пасэрей уэрэдыжьхэр щагъэзащIэу Къуныжь Хьэждал и фэеплъу къызэрагъэпэща зэпеуэм Алихъан япэ увыпIэр къыщихьат. 1999 гъэм Мулайм къафэ гупыр къигъанэри, уэрэджыIакIуэ гупым яхыхьащ. Мулайм и гъуэгуанэм уриплъэжмэ, абы къиIуэтэж хъыбархэм уащIэдэIумэ, зыхыбощIэ ар и лъэпкъым гурэ псэкIэ зэрыхуэлэжьар. ЦIыхум зыпэрыт IэнатIэр фIыуэ илъагъур пэжмэ, езым и щапхъэкIэ абы нэгъуэщIхэри дрегъэхьэхыф, а IэщIагъэр фIыуэ ирегъэлъагъуф. Алихъан и гъэсэнхэм, абы и утыку итыкIэр зылъэгъуахэм ящыщу лъэпкъ щэнхабзэм зи лъагъуэ щыхэзышахэр мащIэкъым. 2004 гъэм ар Иорданием ирагъэблагъэри, щIалэгъуалэр щызэхуэсу абы щыIэ «Нади Ахьли» клубым илъэситIкIэ щылэжьащ. — «Нади Ахьли»-р, къапщтэмэ, адыгэхэм я спорт клубщ, — же- Iэ Алихъан. — Ауэ абы зыхуигъэувыжа къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ныбжьыщIэ-хэм я блэкIар ящIэу, я хабзэ дахэхэм хащIыкIыу къэгъэтэджыныр. Иорданием сыщыкIуам, зэуэ къалэн къысща- щIат Джэрэш и театрышхуэм щекIуэкI щэнхабзэ фестивалым ныбжьыщIэхэр хуэзгъэ-хьэзырыну. Си гуапэ зэры- хъунщи, сызыдэлэжьа гупым ехъулIэныгъэ иIэу зыкъигъэлъэгъуат. Къафэм и мызакъуэу, уэрэд жыIэнми ныбжьыщIэхэр хуэзгъэсат. Уеблэмэ, сэ зэхэзгъэува концерт программэхэмкIэ мызэ-мы- тIэу дгъэгуфIащ Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр. «Нади Ахьли» клубым цIыху 80-м нэблагъэ къекIуалIэрти, ахэр гупитIу згуэшауэ садэлажьэрт. Фестивалым хуэзгъэхьэзыр гупым и програм-мэр щхьэхуэт, адрейхэм къэфэкIэ езгъащIэрт. Сэ хэкум сыкъэкIуэжа иужькIи гупым щIыпIэ зыбжанэм, лIыщхьэ куэдым я пащхьэ зыкъыща-гъэлъэгъуащ. Дэтхэнэми хуэдэу, сэри си лэжьыгъэр цIыхум ягу зэрыдыхьэр щыслъагъукIэ, къызэрымыкIуэу сыщогуфIыкI, — жеIэ ди псэлъэгъум. Творческэ цIыхухэм мымащIэу яхэтщ лэжьыгъэр япэ изыгъэщу унагъуэр лъэныкъуэ езыгъэз. Абы и лъэныкъуэкIи Алихъан дагъуэ хуэщIыгъуейщ. Мулайхэ Алихъанрэ Маринэрэ я унагъуэ дахэм мызэ-мытIэу журналистхэр тепсэлъыхьащ, щапхъэу ягъэлъагъуэу утыку кърашащ. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэу унагъуэм хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ зэдапIащ, гъэсэныгъэ дахэ, IэщIагъэ иратащ. 2008 гъэм «Урысейм и унагъуэ» фIэщыгъэм щIэту екIуэкIа творческэ зэпеуэм «Пасэрей уэрэдыжьхэр гъэ- зэщIэн» Iыхьэм япэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ абыхэм. УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым иужьрей зэманым щIэблэр лъэпкъ къафэм зэрыдихьэхыр щыплъагъукIэ. Лъэпкъ щэнхабзэм и Iыхьэхэм ящыщу нэхъ пасэрейуэ къалъытэри аращ, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIи, нэхъ псэ быдэхэми ящыщщ ар. Къафэм теухуауэ Алихъан и гупсысэр гъэщIэгъуэнщ: «Утыкум къихьэ цIыхум зыщыщ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэр къеплъхэм захригъэщIэфу щытын хуейщ. Лъэпкъхэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, я къафэхэри зэщхькъым. Къафэхэм къагъэлъагъуэ лъэпкъым и хьэл-щэныр. Утыку укъыщихьэкIэ уи псэр хэплъхьэу укъэфэн хуейщ, къэбжыхьу утемыкIыжу, Iэдэбагъ пхэлъу, уи щхьэми укъэзыухъуреихьхэми пщIэ зэрахуэпщIыр уи зыIыгъыкIэмкIэ къэбгъэлъагъуэу». Алихъан и махуэ лъапIэмкIэ дохъуэхъу. Ди гуапэщ дэрэжэгъуэрэ гурыфIыгъуэрэ щымыщIэу и унагъуэм, лъэпкъ щэнхабзэм иджыри илъэс куэдкIэ узыншэу яхуэлэжьэну. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101464.txt" }
Сабиймрэ таурыхъымрэ Адыгэр дымащIэ тIэкIущ. ДыщымащIэкIэ, сабийуэ къытхэхъуэм ди лъэпкъ нэщэнэхэр къатещу, ди щхьэхуэныгъэхэр лъапIэныгъэу къалъытэу къызэрыдгъэхъуным демылIалIэмэ, бжыгъэкIэ дыбэгъуами, лъэпкъым хэхъуэ димыIэу утыку дыкъинэнкIэ шынагъуэ къытлъэIэсащ. Адыгэ гупсысэкIэр, дуней еплъыкIэр, дуней къыгурыIуэкIэр къищтэурэ, адыгэм къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр дуней тетыкIэу къищтэурэщ сабийр лъэпкъым къупщхьэ зэрыхуэхъунур. А псор абы зэрыпкърыхьэр псалъэкIэщ. Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ цIыхумрэ зэпызыщIэр аращ — гупсысэм псалъэр фащэ хуохъу. Дыпсэлъэн зэрыхуейм дегъэгупсысэ, гупсысэр нэхъ IупщIу дунейм къытедгъэхьэн папщIэ, хуэкIуэ псалъэм долъыхъуэ, къыхыдох. Гупсысэр увыIэ имыщIэу зызыужь Iуэхугъуэщи, ар наIуэ зэрытщIыну псалъэхэмкIэ дыкъулеиныр Iэмалыншэ мэхъу. Абы ехьэлIауэ цIыхум иIэну ехъулIэныгъэр елъытащ и анэдэлъхубзэр зэрищIэм и фIагъым, псалъэхэм яхэлъ мыхьэнэр тэмэму къызэрыгурыIуэм, ахэр екIуу зэпищIэу зыхуей гупсысэр псалъэухам, тхыгъэм, къэпсэлъэныгъэм зэрыригъэзагъэм. Апхуэдэ фIагъ цIыхум и псэлъэкIэм, гупсысэкIэм хэлъын папщIэ щысабийм щыщIэдзауэ адыгэбзэ курых зэхихыу, и дунейм зезыгъэужьын псалъэмакъ драгъэкIуэкIыу къэтэджын хуейщ. Адыгэм зытхъумэжын мурадкIэ щхьэхуэ зытщIу, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щыIэкIэм дыщымыгъуазэу, езыхэри къытщымыгъуазэу дызэрымыпсэуфынур гурыIуэгъуэщ. ИкIи дыхуей лъэпкъ зэмыщхьхэмкIэ къулей дуней дахэм зыхэдмыгъэзагъэу, бгъуэнщIагъ къэтлъыхъуэну? Зыхэдгъэзэгъэныр акъылщ, мамырыгъэщ, къарущ, къэкIуэн зэрыдиIэнум и джэлэсщ. Ауэ дахэмышыпсыхьу. ДахэмыкIуадэу. Бзэ зэщымыщ зыIурылъ лъэпкъ зэмыщхьхэм дунейри зэралъагъум зэщхьэщыкIыныгъэхэр иIэщ. Менталитет гугъур куэдрэ щIащIыр аращ. ЛъапIэныгъэу къэтлъытэр сэтей зыщIыр, къыддэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр щызыгъэIэр, зезыгъакIуэр бзэращ. Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъ нэщэнэхэр хэмыгъуэщэжу лIэщIыгъуэхэм зэIэпахыу къэгъуэгурыкIуэныр зэлъытар бзэм и зыужьы-кIэрщ, и щыIэкIэрщ. Ар тхыдэм хьэкъ тщищIа Iуэхущи, догузавэ: къэхъуну пIэрэ адыгэбзэр щыкIуэщIын махуэ? Адыгэу щыта цIыхум и гупсысэр нэгъуэщIыбзэкIэ къигъэнаIуэу фIэкIа, адыгэбзэм хуэмыныкъуэжу дыхъуну зы зэман? Iуэхум утегузэвыхь къудейкIэ ди анэдэлъхубзэм къылъыс лейм лъэпкъым и гуащIэр зэригъэкIуэщIыр къэувыIэнукъыми, хэмытIасэ щIыкIэ дгъэзэкIуэж хъуну зы Iуэхугъуэ дытепсэлъыхьынщ. Адыгэм ди къэкIуэным, адыгэбзэм и щыIэным сыт зэран къыхуэхъурэ, сыт къыпэщIэувэрэ, жытIэу дыщыгупсысэкIэ, гурыщхъуэ зыхуэтщIынухэм хиубыдэнукъым сабийхэр зэплъ таурыхъхэр. Ауэ зэраныгъэ къызэрыгуэкIыу мыхъуу, насыпыншагъэ сабийми ар зыщыщ лъэпкъми къыхуэзышэн къару шынагъуэу таурыхъхэр къызэрыувыфынур зэманым ди фIэщ ищIащи, зыкъызэредгъэлыным дегупсысыну игъуэ дыдэщ. Лъэпкъыр щыIэну, сабий узыншэ, жыджэр, зи акъылыр зэтес, къызыхэкIахэм я гупсысэкIэм техуэ, анэдэлъхубзэр зыIурылъ къыщIэмыхъуэмэ? А псори ди сабийхэм ябгъэдэлъын папщIэ къэдгъэсэбэп IэмалыфIхэм ящыщщ таурыхъхэр, ар дакъыхуеджэурэ щIэдгъэдэIуу щрет е телевизоркIэ еплъу ирехъу. ЗанщIэу жытIэнщи, сабийр таурыхъым щIэгъэдэIуныр къанэ щымыIэу адыгэ гъащIэм хэкIри, телевизоркIэ егъэплъыным бжьыпэр иубыдащ. ЯфIэфI дыдэу йоплъ. ЩхъуэкIэплъыкIэщ, хэт лIыхъужьхэм я теплъэр гукъинэжщ, къыщыхъухэр гурыIуэгъуафIэщ, езым и ухуэкIэр джэгукIэм пэгъунэгъущ, а псом и щIыIужкIэ псэлъэгъу яIэу къащегъэхъу. Сабийр езыр абы епсэлъэжыркъым, и гупсысэр игъэIун хуей хъуркъым, псалъэ лъыхъуэныр Iэмалыншэххэкъым. Гупсысэ къигъэхъуу, абы адыгэбзэр фащэу щитIэгъэжыным езышалIэ и Iуэхум хэлъкъым. Къэнэжыр аращи, къепсалъэм жиIэр къещтэ, игу иреубыдэ, ей мэхъу. ДыкIэлъыплъынщ гущхьэгъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ, жьакIуэ хъунымкIэ, гупсысэм зиубгъунымкIэ къыхахыфыр зыхуэдэм. Нобэрей сабийр зэплъ таурыхъхэм, дауи, куэд яхэтщ Iеймрэ фIымрэ IупщIу зэхэгъэкIа щыхъуи, зэхъуэпсэн щытыкIэ дахэри ауан ищIу къимыщтэн щIыкIэншагъэхэри къызыхэщ. ФIыуэ ялъэгъуауэ зэплъырей таурыхъхэм сабийм зыкъомым гу лърагъатэ: дыкъэзыухъуреихь дунейм, цIыхум, псэущхьэхэм уазэрыхущытынур, щIыкIафIэмрэ щIыкIеймрэ я пщIэр зэрызэхуэмыдэр. А зэплъым апхуэдизкIэ дехьэххэри, лIыхъужьхэр зэрыхуэ щытыкIэм езыхэри «къыщохутэ», абыхэм я зыхэщIэныгъэхэр дагуэш, жаIэр дыжаIэ, апхуэдэурэ япэ гъащIэ дерсхэр зыIэрагъэхьэ. Аращи, ди сабийм и гъэсэныгъэр дахэу зэфIэувэнымкIэ дэIэпыкъуэгъуфIу таурыхъхэр увыфынут ахэр псори адыгэ цIыхум «пщIэ», «Iулыдж», «хабзэ» щыжиIэкIэ, абыхэм яхилъхьэ мыхьэнэр къахэщу щытамэ. Мы псалъэмакъыр щыIэнутэкъым, дызыIуува IэнатIэр IупщI дыдэ къэмыхъуамэ: иджырей таурыхъхэм я нэхъыбэм къашэр фIырыфIкIэ пхузэмыгъэпэщыжын зэраныгъэщ. Нэхъыбэу таурыхъ къэзыгъэлъагъуэ каналхэм щыплъагъунури, дискым тету къащэхури хамэ къэралхэм, псом хуэмыдэу Америкэм щащIахэрщ. Балигъым зэмангъа-кIуэу бгъэдигъэтIысхьэу щытми, сабийм дежкIэ ар и гупсысэкIи, псалъэкIи, IуэхукIи къэгъазэ имыIэу зыхыхьэ гъащIэщ. Абы щыхыхьэкIэ, мыдрей зытетын хуей дунейр IэщIыб ещI. ИщIкъым, езыр-езыру мэхъу IэщIыб. Таурыхъыр еухри, сабийр къигъэна дунейм къыхыхьэжын хуей мэхъу, ауэ зэрыщытауэкъым къызэрыхыхьэжыр, атIэ, зыхэта хамэ къэрал таурыхъхэм я щытыкIам техуэу, губжь кIуэцIылъу, псэлъэкIэ пхъашэкIэ узэдауэ, шынэм щызэщIиубыди къэхъуу. Абы хузэфIэкIыркъым, балигъым хуэдэу, илъагъур зэпкърихыу, мыхъуныр къихутэу, зэран къыхуэхъункIэ хъунумрэ и сэбэп зыхэлъымрэ зэхигъэкIыну. Аращи, йоплъ адэ-анэр, адэшхуэ-анэшхуэр зэмыплъа, зыщымыгъуазэ, я быныр зыхуигъасэр, зыхущIигъэджыкIыр, я нэгу къыщIигъэхьэр, я щхьэм кърилъхьэ гупсысэхэр ямыщIэ таурыхъхэм. Езы адэ-анэхэр зищIысу къыхэщыр сыту пIэрэ а таурыхъхэм? Ныбжьэгъу-жэрэгъуу, дзыхь зыхуэпщI хъун гуэру, узыщысхьын хуейуэ хьэмэрэ ущIедэIуэн акъыл зыбгъэдэмылъ гуэрхэу? Таурыхъым хэт лIыхъужьхэм Iейуэ къалъытэр адэ-анэм яфIэIейра, фIыуэ къащигъэхъур яфIэфIыра? Сыту щытми, зэпымычу телевизорым бгъэдэс сабийм илъагъум фIэкIыпIэ имыIэу къыхех езыр зэрытыну щытыкIэр, хьэл-щэныр, псэлъэкIэр. Ар зы махуэкъым, зы мазэкъым, зы илъэскъым зэрекIуэкIыр. Апхуэдэурэ сабийр къожэпхъри, апщIондэху адэ-анэм я арэзыныгъэ хэлъу зэплъа таурыхъхэм, фильмхэм къыхихыу а балигъыпIэм нихьэсам елъытащ къэзылъхуамрэ къыдалъхуамрэ къазэрыхущIэкIынур: илъагъуну, илъытэну, псалъэ тэмэмкIэ епсэлъэну хьэмэрэ къэзылъхуар жьы зеиншэхэр щапIыжым, къилъхуар сабий зеиншэхэр щапIыжым иритыну? Ди телевизорым зэкIэлъхьэужьу къигъэлъагъуэ таурыхъхэм куэд яхэткъым сабийм и псантхуэм и щытыкIэр, гъэсэныгъэ пэжым къигъэув мардэхэр, лъэпкъ псоми я зэхуэдэ лъапIэныгъэхэр къалъытэу зэхалъхьауэ. ЛIыхъужьхэр ябгэщ, зэрыбзэджэн Iэмалхэр къалъыхъуэ икIи къагъуэт, зым адрейр еубэрэжь, ебгъэлеймэ еукIыпэ, жэуапи яхьыжыркъым. Къытригъэзэжурэ абы еплъ сабийм апхуэдэ щытыкIэщ езым зыхилъхьэри, гъащIэм хихьэри. Ныбжьым елъытауэ псантхуэм зэрызиужьыр зыдж щIэныгъэлIхэм жаIэ илъэсий хъуху сабийр залымыгъэ къыщыгъэлъэгъуа таурыхъ, фильмхэм ерыщу еплъмэ, илъэс щэщI ныбжьым щынэблагъэм Iэмал имыIэу щIэпхъаджагъэ илэ-жьу. Ар абы илъэс бжыгъэкIэ щIэджыкIащ и унэ щIэсыжу, телевизорым бгъэдэсу. Адэ-анэм хуит ящIауэ щрагъэплъкIэ, сабийм дежкIэ а зэплъым щекIуэкI псори къызэрыгуэкI Iуэхущ, мыхъумыщIагъэ хэлъкъым. Псалъэм папщIэ, хуабжьу зэлъэщIысауэ псори зэплъ «Шрек» мультфильмым щыщ зы теплъэгъуэ къэтщтэнщ. Принцессэ Фионэ уэрэд жиIэ-ну пыхьэри, гъунэгъуу абгъуэм тес бзу цIыкIум къыдежьууэ щIидзащ. Фионэ и макъыр дришеиIуэри, бзум абы зригъэкIуну хуежьа щхьэкIэ, пэмылъэщу къэчащ. Принцессэр тIэкIуи къэуIэбжьат, ауэ щIэх дыдэ мамырыжащ, псыхэкIуадэ хъуа бзум и джэдыкIэхэр абгъуэм кърихри, пщэдджыжьышхэу игъэжьащ. Сабий еплъым фIэдыхьэшхэнщ бзум къыщыщIар. Iуэхум и тэмэмыпIэр къыжезыIэн гъусэ иIэкъым, балигъхэм я щхьэ, я унагъуэ Iуэху зэрахуэ, сабийр зэран яхуэмыхъуу, уэрамым дэмыту таурыхъ йоплъри щысщи, псори арэзыщ. И гупсысэкIэм дерт зэригъуэтам хэт иригузэвэн, хэт ар гуныкъуэгъуэ щыхъун? Абы псэ зыIутыр зэрыкIуэд щIыкIэр илъагъуу аркъудейкъым, псэр бгъэныным, зыгуэр лIэным пыщIаишхуэ щымыIэу къыщегъэхъу, гъащIэм и уасэр пуду къилъытэным ирешалIэ. ЛIэныгъэр мышынагъуэу, зыгуэр уи зэранкIэ бгъэлIэным гуэныхьи бэлыхьи пылъын хуэмейуэ йосэ. Зи гугъу тщIа теплъэгъуэмкIэ дгъэзэжынщи, бзу цIыкIур и макъымкIэ зыгъэ- лIа Фионэ фIыуэ ялъагъу лIыхъужьщ. Сабий акъылым зэрегъэзахуэ: игу ирихьа лIыхъужь дагъуэншэм залымыгъэ зэрихьэфынукъым, пхъашагъэ къылъыкъуэкIынукъым, абы ищIар Iеин хуейкъым. «Шрек» таурыхъыр къызыхэкIа дунейм щызекIуэ хабзэхэр, зэпсэлъэкIэхэр дэ тпэжыжьэщ, дунейр къызэрытщыхъумрэ ди зыхэщIэныгъэхэмрэ зэщхьэщокI. Арамэ, иджыпсту дызытетым дытету ди сабийр а дэркIэ хамэ дунейм и таурыхъхэм щIэтпIыкIмэ, дэ абыхэм ещхь дыхъунущ, езыхэр я Iэужьым щIэблэм къарищIэм гу лъатэжауэ, зэрызахъумэ-жын Iэмалхэм мэлъыхъуэ, ди къэралым къиужьгъауэ ди сабийхэр зэдгъэплъ таурыхъхэм езыхэм я сабийр ирагъэплъыжыркъым. «Шрекым» хуэдэу, куэдыр дэзыхьэхащ «Мадагаскар», «Ледниковый период», «Тачки» мультфильмхэр. Дэтхэнэ таурыхъми и хабзэм тету, мыбыхэм фIыр Iейм щытокIуэ, ауэ сыт хуэдэ псэлъэкIэ щызекIуэр? Псалъэ пхъашэхэр, гуемыIухэр, зэхэпхыну гурымыхьхэр — ди адыгэ сабийм Iурылъыну дызыщIэмыхъуэпсхэр — лIыхъужьхэм яIурылъхьэныр хабзэ мыхъумыщIэу къадокIуэкI хамэ къэрал мультфильмхэм. Е апхуэдэхэр къыхэщыпыкIауэ дэ къытхуагъэфащэу ара? ЗэрыжаIэ бзэ дыдэмкIэ къэтхьынщ щапхъэхэр: «сопляк», «тупой», «тормоз», «болван», «дебил», «кретин», «полный отпад», «козырно», «прикольно», «пофигу», «шизовое местечко». Сабийхэр зытепсэлъыхьын хуей Iуэхугъуэ мыхэр: «будем рассказывать друг другу о любовных похождениях», «высокая упругая попка», «мы сексуальны!», «любвеобильная ты машина, дай ей отдохнуть!» («Шрек»)? Хьэмэрэ «Спанч Боб» сериалым и Iыхьэхэм фIащахэм щыщ: «Добро пожаловать в помойное ведро», «Губка Боб и маньяк-душитель». Балигъхэр дыщыгъуазэщ: сабийм нэхъ псынщIэу къиубыдыр имычэзууэ зэхихаращ. Елъагъу жьэм къебгъакIуэ мыхъун къызыжьэдэкIам зыри зэремыущиер, зэремышхыдэр, апхуэдэр зыми зэримыгъэкъуаншэр. Аращ абы езыми ахэр хуиту къигъэсэбэп хъуну къыщызыгъэхъур. Сыт хуэдэ гушыIэми гъунэрэ нэзрэ иIэн хуейщ. Псом хуэмыдэу ар сабийм щехьэлIам къыгуэудауэ, дыджу, кунэфу щытын хуейкъым. Мыгъэсэныгъэм и нэщэнэхэр дыхьэшхэну къыщызыгъэхъу таурыхъхэр сабийр гукIэ, псэкIэ сымаджэ зыщIщ: зил узам, зи жагъуэ ящIам, лей зылъысам ущыдыхьэшх мэхъу. Къыщыхъу щыIэщ зи гугъу тщIы мультфильмхэм щалъэгъуам зыпащIыжыну яужь ихьэурэ, сабийхэр щытыкIэ шынагъуэм щихуэ. Псом хуэмыдэу газетхэм куэдрэ зи гугъу щащIа къэхъугъэщ «человек-паук» ещхьу лъэтэну щIэхъуэпс сабийхэр щхьэгъубжэм къызэрыдэлъыр. ХЬЭЦIЫКIУ Рае.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101467.txt" }
ХэкулI щыпкъэ Есчындар Мухьэдин ЩэкIуэгъуэм и 15-м и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъур егъэлъапIэ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ Урысей академием и академик, ФинансхэмкIэ университетым и ректор, си гъащIэм къриубыдэу сызрихьэлIа цIыхухэм ящыщу нэхъ пщIэшхуэ зыхуэфащэу къэслъытэ Есчындар Мухьэдин Абдурэхьман и къуэм. Абы къызэринэкIащ IуэхукIэ, лэжьыгъэ купщIафIэкIэ гъэнщIа гъащIэ гъуэгуанэ кIыхь, ар къапхыкIащ тхыдэ мыхьэнэ зиIа лъэхъэнэ зыбжанэм. Зы лIы ныбжь къыщызэбнэкIам деж блэкIам ухуоплъэкIыжри, къохъулIамрэ къомыхъулIамрэ, пхузэфIэкIамрэ узыхунэмысу къэнамрэ къыбопщытэж. Абы щыщ дэтхэнэ лъэбакъуэри лъапIэщ цIыхум дежкIэ, куэдым уогупсысыж, блэкIам нэгъуэщIу уIуоплъэж. А блэкIар бейуэ къызыхущIэкIахэм ящыщщ Есчындарыр, ауэ «къаплъэ нэхърэ къиплъ» жыхуаIэращи, лъэныкъуэкIэ укъыщытмэ, нэхъыбэж болъагъу. «КъызэрыгуэкI Iуэху къохъулIэн щхьэкIэ, Iуэхугъуэшхуэхэр уи плъапIэу щытын хуейщ» къыхуеджэныгъэм тету мэпсэу Мухьэдин. Абы и гъащIэр и щапхъэщ цIыхум езым и къарурэ зэфIэкIкIэ куэд зэрызригъэхъулIэфым. Зи махуэшхуэр зыгъэлъапIэ ди къуэшыр зи лIыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуа Беслъэней шэрджэс къуажэм къыщалъхуащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Ленинград къыдаша сабий 32-р къезыгъэла беслъэнейдэсхэм я щIэблэщ Есчындарыр. Гитлер и щхьэфIэххэр яужь ит пэтми, абыхэм ящымышынэу, сабийхэр унагъуэ-унагъуэкIэ зэбграшри, я унэ тхылъхэм ирырагъэтхауэ щытащ адыгэхэм. А Iуэхум я щхьэр халъхьэн хуей зэрыхъунур ящIэми, зы адыгэ къикIуэтакъым, сабийхэр кърагъэлащ. И лъэпкъым, къуажэгъухэм къакъуэкIа лIыгъэм иригушхуэ Мухьэдин къару къыхэзылъхьэхэм ящыщщ зи гугъу тщIа Iуэхур, езыри а щапхъэ дахэм ирикIуэри, и гъащIэ псом телэжьащ шэрджэс лъэпкъым и пщIэр къэIэтыным. И адэ-анэ Абдурэхьманрэ Рэбихьэтрэ я сабиибгъум я ебланэт Мухьэдин. ЗыхапIыкIар зэман гугъу пэтми, адэ-анэм яхузэфIэкIащ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ цIыху щыпкъэу гъащIэм хагъэувэн, абыкIэ езыхэр щапхъэ нэс яхуэхъуащ, лэжьыгъэмрэ цIыхугъэмрэ пщIэ хуащIу япIащ. Мухьэдин пщIэшхуэ хуищIырт Хэку зауэшхуэм хэта и адэм, абы и псалъэхэрщ гъуазэ хуэхъуари, аращ еджэным хуэзыущияри. ЦIыху хуэдэ цIыхуу щытынымкIэ мыхьэнэшхуэ игъэзэщIащ и анэми. Ар зыцIыхуу щытахэм жаIэж щIалэм зыхилъхьа хьэлыфIхэр — жыджэрагъыр, гурыхуагъэр, пашэу щытыныр, щIэм хуэпабгъэныр — и анэм хэлъу зэрыщытар. Абы и чэнджэщхэмрэ псалъэ Iущхэмрэ сытым дежи къыхуэсэбэпащ Мухьэдин, я нэхъ IэнатIэ гугъу дыдэм щыпэрыхьами. Зэанэзэкъуэм зэпыщIэныгъэ быдэ я зэхуаку дэлът. Мухьэдин махуэ къэс телефонкIэ епсалъэрт и анэм, Iэмал зэриIэу лъагъунлъагъу кIуэжырт. АбыкIэ абы игъэлъэгъуащ, и къулыкъу лъагэхэм емылъытауэ, къуэ гумащIэу зэрыщытыр. ЕджэнкIи, Iуэху щIэнкIи, гупсысэкIэкIи зэрыцIыкIу лъандэрэ къуажэ сабийм къахэщырт Мухьэдин. Ар дэни щыяпэт. Беслъэней курыт школым фIы дыдэу щеджащ, математикэм нэхъ дихьэхыу щытащ. Абы щыгъуэм егъэджакIуэхэм гу лъатат щIалэ цIыкIум акъыл жанрэ гупсысэ куурэ зэриIэм, гъуэгуанэшхуэ къызэрыпэщылъым. Мухьэдин сытым дежи тхылъыр и Iэпэгъут. Беслъэнейдэсхэм абы и гугъу щащIкIэ, ягу къагъэкIыж ар сытым дежи тхылъ еджэу зэрыщытар, сыт ищIэми, дэнэ щыIэми, тхылъыр IэщIэлъу зэралъагъутэр. ИкIи пцIы супсынкъым, мис а тхылъхэм я фIыгъэкIэ цIыху лъэрызехьэ зэрыхъуар жысIэмэ. Школыр къиуха нэужь, «Беслъэней» совхозым механизатору лэжьэн щыщIидзащ Мухьэдин, кIэщI дыдэуи комсо-мол зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ ящIащ. 1971 гъэм, и ныбжьыр илъэс 20 ирикъуа къудейуэ, къалащхьэм кIуэри, Москва финанс институтым щIэтIысхьащ. Япэ махуэм щегъэжьауэ жэуаплыныгъэ зыхэлъ, гъэсэныгъэ екIу зыбгъэдэлъ, щIэныгъэм хуэпабгъэ щIалэу зыкъигъэлъэгъуащ абы. Къыдеджэхэм пашэу зэрахэтым гу щылъатэм, институтым и ВЛКСМ зэгухьэныгъэм и секретару 1973 гъэм ягъэуващ. Абы псоми зэрепсэлъэн бзэ къахуигъуэтыфырт, сыт и ныбжьми, сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэкIами емылъытауэ. КъищынэмыщIауэ, литературэм, гъуазджэм, жылагъуэ гъащIэм фIыуэ хищIыкIырти, абыхэм ятеухуауэ гъэщIэгъуэну къыбдэуэршэрыфырт. Студенту къригъажьэри, зыщIэтIысхьа еджапIэм и ректор хъуащ Мухьэдин. Студенту, аспиранту, деканым и къуэдзэу, къудамэм и унафэщIу, декану, проректору, япэ проректору лэжьащ, 2006 гъэ лъандэрэ ректор къулыкъум пэрытщ. Абы ипкъ иткIэ, IэнатIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми фIыуэ щыгъуазэщи, къалэну къэувым, цIыкIуми инми, езыр полъэщ, гупышхуэр зы унагъуэу зэдегъэлажьэ. ФинансхэмкIэ университетыр Есчындарым и унафэ щIэува нэужь, къэралым щынэхъ лъэрызехьэ еджапIэ нэхъыщхьэ хъуащ жыпIэкIэ ущыуэнукъым. Аращ нобэрей лъэпкъ IэщIагъэлI нэхъ ехьэжьахэр къыщIэзыгъэкIыр. Иджы, щэкIуэгъуэм и 15-м щегъэжьауэ, Есчындарыр ФинансхэмкIэ университетым и Президенту лэжьэнущ. Еджагъэшхуэ, IэщIагъэлI къызэрымыкIуэу зэрыщытым къыдэкIуэу Мухьэдин цIыхугъэшхуэ зыхэлъ лIыщ. И ныбжьэгъухэм ящIэ абы хуэдэу ныбжьэгъум пщIэ хуэзыщI, ныбжьэгъугъэм хуэпэж зэрыгъуэтыгъуейр. Сэ илъэс 30 лъандэрэ си ныбжьэгъущи, солъагъу абы хэлъ хабзэмрэ нэмысымрэ, цIыхухэм зэрахущытымрэ къэзыухъуреихьхэм пщIэуэ яхуищIымрэ. Сыт щыгъуи чэнджэщэгъу пщIыну щхьэпэщ, дэIэпыкъуэгъу ухуэныкъуэми япэ иту къэсынухэм ящыщщ. Ныбжьэгъу куэд иIэщ Мухьэдин, уеблэмэ ахэр и гъащIэм щынэхъыщхьэ тхылъу къелъытэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри пщIэ, беягъ куэд зыбгъэдэлъ цIыхухэщ. Къапщтэмэ, ар къэзыухъуреихьхэр къулыкъу лъагэхэм пэрыт, щIэныгъэ куу зиIэ защIэщ е къызэрыгуэкI цIыху къабзэхэщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми къыщохъуж Мухьэдин и ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэр езырауэ, мис апхуэдэу дэтхэнэми пщIэ хуищIрэ и щхьэр лъагэу иригъэлъагъужу егъэныбжьэгъуфри. Къулыкъу лъагэ иIыгъ, цIыхушхуэхэм яхэт щхьэкIэ, Мухьэдин беслъэней щIалэ цIыкIум и псэ къабзагъыр игъэкIуэдакъым, и сабиигъуэм хэлъа зы хьэлы-фIи зыхинакъым. Зэи щыгъупщэркъым цIыхур гъащIэм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэу зэрыщытыр. Мухьэдинрэ сэрэ ди зэныбжьэгъугъэр лъэщщ икIи быдэщ, ауэ бий дыщызэрыгъэхъуи щыIэщ, дызыдэщI футбол командэхэр зэрызэмыщхьым щхьэкIэ. Ар «Динамо»-м и телъхьэщ, сэ сызыдэщIыр «Спартак»-рщ. Ди командэхэр щызэдэджэгу махуэм дэ тIур дызэхуэмызэмэ нэхъыфIщ. Иужьрейуэ стадионым дисащ ди футбол командэхэр зэдэ-джэгуу. Сыту куэд щыщIа ди псэм абы щыгъуэм. Сэ зы лъэныкъуэкIи, «Спартак»-м и текIуэныгъэм сыщIэхъуэпсырт, зы лъэныкъуэкIи, Мухьэдин и юбилейм ирихьэлIэу игу хэзгъэщIыну сыхуейтэкъым. Алыхьыр къыддэIэпыкъуащ — командэхэр зэрытегъэкIуакъым. Есчындарым гъэщIэгъуэну хэлъхэм ящыщщ езым бгъэдэлъ акъылымкIи, цIыхугъэмкIи, гъэсэныгъэмкIи, щIэныгъэмкIи адрейхэм зэрадэгуэшэфыр. И хъуреягъым щыт псори тригъэгушхуэфынущ абы. Арагъэнщ апхуэдиз илъэс лъандэрэ цIыху гупышхуэ щылажьэ, щеджэ университетыр, пашэхэм хабжэу, щIигъэлэжьэфри. Абы къулыкъукIи, лэжьыгъэкIи, щIэныгъэкIи куэд хузэфIэкIащ, мащIэкъым а псом щхьэкIэ къыхуагъэфэща щытхъухэмрэ фIыщIэхэмри. 1996 гъэм абы къратащ Зэныбжьэгъугъэм и орденыр, «УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» бгъэхэIу дамыгъэр 1997 гъэм къратащ, 2001 гъэм Урысей Федерацэм и Президентым ЕгъэджэныгъэмкIэ и саугъэтым и лауреат хъуащ, «Урысей Федерацэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр 2009 гъэм къыфIащащ, «Урысейм и хэкупсэ» медалыр, Николаев Лев и цIэкIэ щыIэ дыщэ медалхэр, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и IV, III нагъыщэхэр, Столыпиным и медалыр къратащ. Зыпэрыт лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, къэрал, жылагъуэ зэгухьэныгъэ куэдым и гуащIэ хелъхьэ Мухьэдин. Ар хэтщ Урысей Федерацэм и Президентым, министерствэ зыбжанэм я деж щыIэ къэпщытакIуэ гупхэм, УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и ЩIэныгъэ советым, УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм, УФ-м и Налог къулыкъущIапIэм я Жылагъуэ советхэм хэтщ, Урысей ректорхэм я союзым и унафэщI гупым, компание, банк зыбжанэм я УнафэщIхэм я советхэм хэтщ, УФ-м Дзэ щIэныгъэхэмкIэ и академием и действительнэ членщ. А псоми къадохуэри, къыщалъхуа Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ и гулъытэрэ IуэхущIафэкIэ ялъоIэсыф. Ар сытым дежи щыгъуазэщ и хэку цIыкIум щекIуэкI Iуэхухэм, хэгъэгу Iэтащхьэхэм япыщIащ, чэнджэщкIэ, щIэныгъэ IуэхукIэ сыт щыгъуи я щIэгъэкъуэнщ. Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ингушым, Шэшэным, Дагъыстэным щыщ щIалэгъуалэ куэдым я хъуэпсапIэщ ФинансхэмкIэ университетым щIэтIысхьэну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм щапхъэ яхуохъу еджапIэ лъэрызехьэм и ректор адыгэ щIалэр. И хэкум гупцIанэу зэрыхущытым и щыхьэтщ республикэ Iэтащхьэхэм езы Мухьэдин къыхуащI гулъытэри, апхуэдэу 2018 гъэм Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр къыхуигъэфэщауэ щытащ, Ингуш Республикэм и ЩIыхь тхылъыр къритат Iэтащхьэу лэжьа Евкуров Юнус-Бек. Ар Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Ингуш республикэхэм, Бурятием, Къалмыкъым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ. Сыт хуэдэ къулыкъу пэрымытами, Есчындар Мухьэдин щIэныгъэ Iуэхум зэи къыхэкIакъым. Урысейм и къэкIуэнум, экономикэ, финанс, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм зегъэужьыным хуищI хэлъхьэныгъэр куэдщ икIи куущ. НобэкIэ Мухьэдин дэзыхьэх Iуэхухэм иджыри зы къахэхъуащ — ар и къуэрылъхухэрщ. Адрей зыпэрыта IэнатIэ псоми щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм йофIэкIыж адэшхуэм игъэзащIэ къалэнымрэ мыхьэнэмрэ. Ауэ ахэр зэгуэпх мыхъуну зэпхащ. Абы сытри ищIэнущ и къуэрылъхухэр Урысей лъэщым, зызыужь зэпытым къыщыхъун, щыпсэун папщIэ. Уи махуэшхуэмкIэ сынохъуэхъу, си ныбжьэгъу! Узыншагъэрэ насыпрэ уи куэду, уи щIэныгъэмрэ акъылымрэ дяпэкIи уи гъуэгур пхуагъэнэхуу Тхьэм уигъэпсэу! Агъырбэ Юрий, Москва къалэм щIыхь зиIэ и ветеран, Москва дэс адыгэхэм я зэгухьэныгъэм и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Ингушым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101470.txt" }
И гуащIэм щымысхьу лъэпкъым хуэлэжьа Къалмыкъ Жылэбий 2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м куэдрэ мысымаджэу дунейм ехыжащ Къалмыкъ Жылэбий Адэлбий и къуэр. Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Къалмыкъ Жылэбий кавка-зыдж цIэрыIуэу икIи жылагъуэ лэжьакIуэу щытащ. Иужьрей илъэсхэм ар лэжьащ КъБКъУ-м тхыдэмрэ этнологиемкIэ и кафедрэм и доценту. Абы тхылъиплI, брошюрищ, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ епха тхыгъэрэ очеркыу 60-м щIигъу и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Ар нэхъыбэу елэжьырт адыгэхэм я тхыдэм, лъэпкъ зэхущытыкIэхэм, КъБР-мрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ щызэфIэувэ тхыдэщIэм. Къалмыкъ Жылэбий 1945 гъэм КъБАССР-м и Совет районым хыхьэ Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ. 1952 — 1962 гъэхэм ар щеджащ Зэрэгъыж дэт курыт школым. ЩIалэм и хьэлыр зауэ нэужь лъэхъэнэм ипсыхьащ. А зэманым Iуэху нэхъыщхьэу республикэм илъар яхуэмыфащэу ягъэкIуэдахэм я пщIэр къэIэтыжынырт, захуагъэм гъуэгу етыжынырт, хэкум ирагъэкIа балъкъэр лъэпкъым къызэригъэзэжырт, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур 1957 гъэм гъэлъэпIэнырт. А псом, дауи, щIалэм и дуней еплъыкIэм лъэужь къытримынэу къэнакъым. ЗэрыцIыкIурэ абы и гупсысэкIэр епха хъуащ жылагъуэмрэ цIыхубэ гъащIэмрэ щекIуэкI къэхъукъащIэхэм. Арагъэнщ 1962 гъэм КъБКъУ-м и тхыдэ факультетым щIэтIысхьэныр къызыхэкIар. Ещанэ курсым щIэсу, щIалэр армэм ираджэри, и къалэныр Хэкум хуигъэзэ-щIащ, абы къикIыжа нэужь, еджэным пищэри, «тхыдэдж, тхыдэмрэ обществоведенэмкIэ егъэджакIуэ» IэщIагъэхэр иIэу 1969 гъэм университетыр къиухащ.. Жылэбий иджыри студентт жылагъуэ Iуэху зезыхуэ къулыкъухэр къыхуагъэфэщэн щыщIадзам. Ар хахауэ щытащ КъБКъУ-м и комсомол комитетым и секретару икIи ныбжьы-щIэ минитхум нэс зыхэт комсомол организацэр зэрихьащ. КъБКъУ-м щызэхэт комсомолым и комитетым студент фестивалхэр иригъэкIуэкIыу къыщиублар Къалмыкъ Жылэбий ар щыIэщIэлъа лъэхъэнэрщ. Апхуэдэ фестивалхэр тIэунейрэ ирагъэкIуэкIауэ щытащ. Къалмыкъ Жылэбий тIэу хагъэхьащ ВЛКСМ-м и Къэбэрдей- Балъкъэр обкомымрэ Налшык горкомымрэ. 1971 гъэм ар ягъэуващ ВЛКСМ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и къызэгъэпэщакIуэ къудамэм и инструктору. Ауэ щIэныгъэм нэхъ зэрыдихьэхым къыхэкIыу, а илъэс дыдэм КъБКъУ-м СССР-м и тхыдэмкIэ и кафедрэм и аспирантурэм щIэтIысхьауэ щытащ. А лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэфIэувэрт Къумыкъу Тыгъуэн и унафэм щIэту лъэпкъ тхыдэр зыдж щIэныгъэ къудамэр. Къалмыкъ Жылэбий а Iуэхум и фIэщу зэрыбгъэдыхьам и щыхьэтщ 1974 гъэм тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат лэжьыгъэр зэрыпхигъэкIар. ИужькIэ Къалмыкъ Жылэбий и гуащIэр зэрыщыту щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ иритащ. 1971-1991 гъэхэм ар лэжьащ КъБКъУ-м СССР-м и тхыдэмрэ КПСС-м и тхыдэмкIэ и кафедрэхэм я ассистенту, егъэджакIуэ нэхъыжьу. Ар яхэтащ университетым кафедрэщIэ щызэфIэзыгъэувахэм — КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэмрэ этнологиемрэ егъэджыным хуагъэпсар. Абы мыхьэнэшхуэ иIэт Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм тхыдэ щIэныгъэм нэгъэсауэ зыщиубгъунымкIэ. 1991 гъэм бадзэуэгъуэм Къалмыкъ Жылэбий а кафедрэм и доценту хахри, дунейм ехыжыху абы щылэжьащ. Абы иригъэкIуэкIырт КъБР-м ис лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ тхыдэмкIэ лекцэхэр. Езым къызэригъэпэщри, щIэныгъэ къудамитI щIэуэ хигъэхьауэ щытащ. ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ ятеухуауэ Къалмыкъыр зыхэлэжьыхьу щыта лъэныкъуэхэм куэду заубгъу. Кавказ Ищхъэрэм Урысейм и хабзэ-административнэ унафэм зэрызыщиубгъуам япэу тепсэлъыхьын щIэзыдза кавказыджхэм язщ Къалмыкъ Жылэбий. Абы теу- хуауэ тхылъитIи итхащ: «Установление русской администрации в Кабарде и Балкарии» (1995), «Интеграция Кабарды и Балкарии в общероссийскую систему управления (вторая половина XVIII — начало XX века)» (2007). Ардыдэм теухуауэ щIэныгъэлI лэжьыгъэ 40-м щIигъу итхри, урысей къыдэкIыгъуэхэм къыщытрыригъэдзащ. Къалмыкъ Жылэбий къаруушхуэ тригъэкIуэдащ КъБР-м и тхыдэ щIэныгъэ къудамэм щIэуэ къыхыхьа, къэбэрдей тхыдэдж цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэхэр джын Iуэхум. 2002 гъэм абы къыдигъэкIа «Тхыдэджым и гупсысэхэр» тхылъым Iыхьэ щхьэхуэу хэуващ къэбэрдей тхыдэдж нэхъыжьхэм я гъащIэ гъуэгухэр: Къумыкъу Тыгъуэн, Мамбэт Хьэлым, Медалы Хьэчим, Нало Евгение сымэ ейхэр. Зы лъэныкъуэкIэ, абыкIэ Жылэбий езыр езыгъэджахэм пщIэ яхуищIащ. Мыдрейуэ — совет зэманым и ужьым лъэпкъ тхыдэ щIэныгъэм и пащхьэ къиува Iуэху зэфIэхыпхъэхэр къигъэнэIуащ. Къалмыкъым и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм къахощ ар совет зэманым зэфIэува кавказыдж къудамэм зэрыщыщыр. Ар темыплъэкъукIыу тетщ тхыдэм и пэжыпIэм, зэхэгъэж мыщIыным, IэщIагъэлIым щэн хэлъын зэрыхуей мардэхэм. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, 1990 гъэхэм щегъэжьауэ лъэпкъ Iуэхум ехьэлIа лэжьыгъэ куэд дунейм къытохьэ, лъэпкъ щхьэхуэхэм я тхыдэр пхэнжу къигъэлъагъуэу. Жылэбий зэлэжьа тхыдэ къудамэхэм язт Кавказ Ищхъэрэм XIX лIэщIыгъуэм и кIэухым — XX-м и пэщIэдзэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэр. Къалмыкъым и къэхутэныгъэхэр щызэпкърахащ Налшык, Владикавказ, Краснодар къалэхэм щызэхэта конференцхэм. Дэтхэнэ зыри теухуат Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я блэкIам. Къалмыкъ Жылэбий лэжьы-гъэ зыбжанэ итхащ къэбэрдей адыгэхэм я деж муслъымэн диныр зэрыщызэфIэувам теухуауэ: «Ислъамым къэбэрдей адыгэ-хэм я тхыдэм щиубыд увыпIэр: XIX лIэщIыгъуэм и кIэ — XX-м и пэ). Политикэ и лъэныкъуэкIэ нэфI-ней къыхимыгъахуэу а Iуэхур зэпкърызыхахэм язщ Къалмыкъыр. Ар гупыж хъарзынэ хъуащ адрей тхыдэджхэри диным захуагъэр я щапхъэу бгъэдыхьэн папщIэ. Гулъытэшхуэ хуищIащ Къалмыкъым Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я зэхущытыкIэми. ЛъэпкъитIым я зэхуаку мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ дэлъу псэунырт тхыдэджым и плъапIэ нэхъыщхьэр. «Тхыдэджым и гупсысэхэр» тхыгъэм абы щыжеIэ: «КъулыкъущIэхэри утыкуакIуэхэри къыкъуокIри мэкIуэдыж, ди лъэпкъитIыр абыхэм щхьэкIэ къэмынэу зэгурыIуэу зэдогъуэгурыкIуэ. ИужькIэ дымыукIытэжын папщIэ, нобэ зым адрейм и жагъуэ дымыщIмэ нэхъыфIщ». А къыхуеджэныгъэр лъэпкъитIми яфI зезымыхуэ къулыкъущIэхэрт зыхуэгъэзар. Гу лъытапхъэщ Къалмыкъ Жылэбий республикэм ис лъэпкъ-хэм я зэхущытыкIэр къызэригъэлъагъуэ щIыкIэми. 1994 гъэм абы итхауэ щытащ: «ЛъэпкъитIми цIыху щхьэхуэхэр яхэтщ, пщIэ зыхурагъэщIын мурадкIэ бэр утыку ирагъэлъэдэну хэту. Абыхэм зыкIи тщхьэщахыркъым лъэпкъ зэхэгъэжыр и щхьэусыгъуэу республикэр зыхэхуэ хьэлэбэлыкъхэр». А гупсысэм и мыхьэнэр ноби нэхъ мащIэ хъуакъым. И тхылъхэм я зыр Къалмыкъ Жылэбий хуигъэфэщащ езыр къызыдэкIа Зэрэгъыж къуажэм. Абы тхыдэджым къыщызэщIиубыдащ къуажэм дэсхэм я къекIуэкIыкIар, я ехъулIэныгъэхэр. ЦIыхухэм сыт щыгъуи къалъыхъуэ зэпытщ Жылэбий газетхэмрэ журналхэм къытрыригъэдза и тхыдэ лэжьыгъэхэр. Езыр цIыхубэ утыку къыщихьэм деж, ар сыт щыгъуи зэпIэзэрытт, набдзэгубдзаплъэу, нэфI-ней хэмылъу Iуэхур зэрызэпкърихыным иужь иту. Жылэбий и утыку къихьэгъуэхэмкIэ совет зэман нэужьым республикэм и цIыхубэ гъащIэм мыхьэнэ зиIэу щекIуэкIахэр къыбощIэжыф. Къалмыкъ Жылэбий щIэныгъэ зэрыбгъэдэлъым, гъащIэм и пIалъэ зэрищIэм, езыри адыгэ хэкулIу зэрыщытым я уасэр наIуэ къыщыхъуащ 1980 — 1990 гъэхэм, лъэпкъ Iуэхухэр гуащIэу къыщыхъея зэманым. 1992 — 1994 гъэхэм ар Адыгэ Хасэм и лIыкIуэу хахри, къэбэрдей адыгэхэм я лъэныкъуэкIэ съездым хэлэжьыхьауэ щытащ. 1993 гъэм Жылэбий хагъэхьащ Къэбэрдей лъэпкъым и конгрессым икIи абы и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ. 1993-1994 гъэхэм ар Конгрессым и лIыкIуэу хэтащ Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я Чэнджэщэгъу советым. Абы къыщаIэтауэ щытащ политикэмрэ щIы Iуэхумрэ республикэм щызэфIэха зэрыхъуну щIыкIэм теухуа упщIэхэр. КъызэщIэубыдауэ жыпIэмэ, цIыхубэ, жылагъуэ гъащIэм хэпщIауэ и иужь-рей илъэсхэр ирихьэкIащ Къалмыкъ Жылэбий. И лэжьэкIэм, Iуэху бгъэдыхьэкIэм, цIыху щIыкIэм, бгъэдэлъ жэуаплыныгъэм и хьэтыр ялъагъуу, Къалмыкъыр адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ЗэзыгъэуIу советым и унафэщIу хахауэ щытащ, КъБР-м и Парламентым къедзауэ лажьэ ЗэгурызыгъэIуэж комиссэми хагъэхьащ. 2009 гъэм Къалмыкъ Жылэбий хагъэхьащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм. 2011 гъэм республикэм и Iэтащхьэм пщIэ къыхуищIу, ар хигъэхьащ КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэ щIэт ЗэзыгъэуIу совещанэмрэ Жылагъуэ советымрэ; республикэм ЩIы IуэхухэмкIэ и комиссэми, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо адыгэ академиеми хэтащ. Псэемыблэжу лэжьыгъэм зэрыбгъэдэтым, IэщIагъэлI нэгъэсауэ зэрыщытым, Iуэху еплъыкIэ зэтет зэриIэм къыхэкIыу, Жылэбий тыгъэ къыхуащIауэ щытащ ВЛКСМ-м и Обкомым, КъБКъУ-м, Зэрэгъыж къуажэм и администрацэм, КъБР-м и Парламентым къабгъэдэкI тыгъэхэмрэ цIэ лъапIэхэмрэ. Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ, Къалмыкъ Жылэбий 2010 гъэм къыхуагъэфэщащ КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр. Къалмыкъ Жылэбийщ Тхыдэр зыдж урысей зэгухьэныгъэм и къудамэ Налшык къыщызэIуезыгъэхар. ХэкулI-хэкупсэу, пэжым лIыгъэ дигъуэту, гуапагъэр къебэкIрэ цIыхур фIыуэ илъагъуу псэуа Къалмыкъ Жылэбий тхыдэм елэжь щIалэгъуалэм дежкIи, и лъэпкъым хуэпэж дэтхэнэ зым дежкIи щапхъэщ, ахърэт нэху Алыхьым кърит. Къудей Аминэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101475.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэрым кадет классыщIэ къыщызэIуахащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Калюжный Н. Г. и цIэр зэрихьэу Налшык къалэ дэт 7-нэ курыт еджапIэм и 5-нэ «К» классым щIэс цIыкIухэр кадетым зэрыхагъэхьэм ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэм. Iуэхур щекIуэкIар Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэрщ. Кадет ныбжьыщIэ 29-м тхьэрыIуэ ятащ икIи а цIэр къызэрыфIащам щыхьэт техъуэ тхылъхэри иратыжащ. Илъэс кIуам, КъБР-м щыIэ МВД-м и жэрдэмкIэ, мы еджапIэм къыщызэIуахащ япэ кадет классыр икIи а проектым арэзы техъуауэ щытащ сабийхэри адэ-анэхэри. Республикэм и Iэтащхьэм къызэхуэсахэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ: «Урысейм и кадет зэщIэхъееныгъэм илъэс щитI тхыдэ иIэщ икIи ноби ди сабийхэр хэкупсэу, къэралым къулыкъу хуэщIэным хуэхьэзыру къэгъэтэджынымкIэ Iэмал хъарзынэу щытщ. УзыщыгуфIыкIынщ ка-дет зэщIэхъееныгъэм республикэм адэкIи зэ-рызыщиужьыр». КIуэкIуэ Казбек а лэжьыгъэм жыджэру хэт псоми фIыщIэ яхуищIащ икIи кадет ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ а цIэр щIыхь пылъу зэрахьэну. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Павлов Василий республикэм и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ кадет зэщIэхъееныгъэм зегъэужьынымкIэ IуэхущIапIэм зэрызыщIагъакъуэм папщIэ. Павлов Василий тепсэлъыхьащ еджапIэм кадетхэм щагъуэт щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ: «Кадетхэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ хузэ- халъхьащ сыт и лъэныкъуэкIи зэпэлъыта программэ, абы хэтщ урысей милицэмрэ полицэмрэ къызэрызэрагъэпэщам, абыхэм зэрызаужьам щIэблэр щыгъэгъуэзэным, хабзэхъумэхэм я лэжьыгъэр зыхуэгъэпсам теухуа дерсхэр». Кадет ныбжьыщIэхэм апхуэдэу ехъуэхъуащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, курыт еджапIэм и унафэщI Хъарзынэ Анзор, КъБР-м щыIэ МВД-м и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан сымэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101478.txt" }
Шэрэдж электростанц мыиным и лъабжьэр ягъэтIылъ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «РусГидро» компанием и правленэм и унафэщI — генеральнэ директор Хмарин Викторрэ я зэIущIэ махуэкум КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэм, къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм гидроэнергетикэ мыиным зыщегъэужьыным ехьэлIа программэр гъэзэщIа зэрыщыхъум. КИФЩI-м и щIыуэпсыр хуэщIащ гидроэлектростанц мыинхэр щыгъэлэжьэным. Абыхэм я фIагъхэм ящыщщ экологие и лъэныкъуэкIэ шынагъуэншэу зэрыщытынур. Электрокъарур станцым къилэжьын щхьэкIэ ихъуреягъым щыIэ щIыуэпсым и зэхэлъыкIэр къута хъунукъым, апхуэдэуи ГЭС мыинхэр зытращIыхьыну псым и фIагъыр игъэнэхъыкIэнукъым, абы хэс бдзэжьейхэми егуэуэнукъым. КъищынэмыщIауэ, и гугъу ящIащ республикэм и щIыпIэ пхыдзахэр электрокъарукIэ ирикъуу къызэгъэпэща хъунымкIи электростанцхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ щIыналъэм щагъэзащIэ энергетикэ проектхэм экономикэми зэрызрагъэужьыр. Хмарин Виктор жиIащ дэтхэнэ зы гидроэлектростанцри адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр, ахэр республикэм ехъулIэныгъэкIэ зэрыщаухуэм къегъэлъагъуэ компаниер щIына-лъэм купщIафIэу зэрыдэлажьэр. КъБР-м щаухуэну нэгъуэщI ГЭС мыинхэм я проектхэми щытепсэлъыхьащ зэIущIэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ди республикэр нэгъабэ хэтащ УФ-м Энергетикэм зыщегъэужьынымкIэ и зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща рейтингым. А Iуэхум къриубыдэу я лэжьыгъэр къапщытауэ щытащ Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэ 66-м. Ди республикэр а рейтингым хэтам имызакъуэу, «Урысейм и гидроэнергетикэ IэнатIэ пашэ» унэтIыныгъэм щытекIуащ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэ лъагэм лъабжьэ хуэхъуа Iуэхугъуэхэм ящыщщ блэкIа илъэситхум къриубыдэу ди щIыналъэм электростанц мыин зыбжанэ зэрыщаухуар. ЗэIущIэ нэужьым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «РусГидро»-м и правленэм и унафэщI — генеральнэ дирек-тор Хмарин Викторрэ ирагъэжьащ Шэрэдж гидроэлектростанц мыиным и ухуэныгъэр. Япэ бетон кубометрыр щыдакIэ гуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтащ Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, республикэм энергетикэмкIэ, промышленностымрэ сатумкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамил, «РусГидро»-м и генеральнэ директорым и япэ къуэдзэ Карпухин Николай, Аруан муниципальнэ щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ Ажий Валерэ, нэгъуэщIхэри. Хмарин Виктор и къэпсэлъэныгъэм къыхэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым гидроэлектростанц мыинхэр щыухуэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр «РусГидро»-м илъэс зыбжанэ хъуауэ зэрыригъэкIуэкIыр. «Зэтеублауэ мэлажьэ Зэрэгъыж, Балъкъэр Ипщэ МГЭС-хэр, Бахъсэн Ипщэ гидроэлектростанцым и проектыр гъэхьэзырын щIадзащ. Нобэ зи ухуэныгъэ едгъажьэ станцым илъэс къэс къитынущ электрокъарууэ киловатт-сыхьэт мелуан 87-рэ. Мыр щIыуэпсым зыкIи зэран хуэмыхъу электрокъару къызэралэжь IэмалыфIщ. Шэрэдж МГЭС-м лэжьэн щIидзэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и унагъуэ мин 70-м щIигъу электрокъарукIэ къыхузэгъэпэщынущ. Дэтхэнэ ухуэныгъэщIэри ар электрокъару хэгъэхъуапIэщ, налогхэмкIэ, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэмкIэ щIыналъэм и социально-экономикэ щытыкIэр езыгъэфIакIуэщ», — жиIащ «РусГидро»-м и унафэщIым. Хмарин Виктор республикэм и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ гидроэнергетикэм и проектхэр гъэзэщIэнымкIэ лэжьэгъу къазэрыхуэхъум пап-щIэ икIи ухуэныгъэм хэт псоми ехъуэхъуащ проектыр ехъулIэныгъэкIэ зэфIагъэкIыну. ГЭС-р Аруан районым хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм пэмыжыжьэу Шэрэдж псым тращIыхьынущ. Ар щIыналъэм щынэхъ ин дыдэ Шэрэдж Ищхъэрэ энергокомплексым еплIанэу хыхьэнущ. Каскадым къызэщIеубыдэ гидроэлектростанцищ: Къэщкъэтау, Аушыджэр, Зэрэгъыж щаухуахэр. Псори зэхэту абыхэм къат мегаватти 155,7-рэ. Иджырейм и ухуэныгъэр 2024 гъэм яухыну траухуащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIахэм ирагъэлъэгъуащ Шэрэдж Ищхъэрэ каскадым и къежьапIэм теухуауэ трахауэ щыта фильмыр. Абы хыхьэ япэ станцыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерий хэту 2002 гъэм и мазаем ирагъэжьауэ щытащ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм захуигъазэри, фIыщIэ яхуищIащ республикэм и япэ Президентым и фэеплъыр зэрахъумэм, илъэс куэд щIауэ щIыналъэм купщIафIэу зэрыдэлажьэм папщIэ. «Шэрэдж Ищхъэрэ МГЭС-хэм хыхьэ къыкIэлъы-кIуэ станцым и ухуэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм зегъэужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэхъунущ, — къыхигъэщащ Iэтащхьэм. — Ар энергетикэ IэнатIэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэхъум и закъуэкъым, атIэ республикэр электрокъарукIэ къызэгъэпэщыным, абы щымыщIэным хуащI хэлъхьэныгъэщ. Проектым экономикэр иригъэфIэкIуэнущ, къэкIуэну щIэблэм ягъэзэщIэну инвестицэ проектхэм лъабжьэ яхуэхъуу», — жиIащ КIуэкIуэ Казбек. Республикэм и унафэщIыр «РусГидро»-м и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ гидроэнергетикэ мыиным зегъэужьыным ехъулIэныгъэщIэхэр къыщахьыну. СтанцыщIэм и щытыкIэнум щытепсэлъыхьым къыхагъэщащ Шэрэдж ГЭС мыиныр псы хъумапIэ хэмыту, псы ежэхым и щытыкIэм зрамыгъэхъуэжу зэраухуэнур. Станцым екIуэлIэну псыр къыхашынущ Зэрэгъыж ГЭС-м пыщIа кIэнауэм. Абы и фIыгъэкIэ мылъкушхуэ зытекIуэ-дэну ухуэныгъэхэр ирамыгъэкIми хъунущ. Псым пшахъуэри хазыкIынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ ищхьэкIэ щыIэ МГЭС-м ар къабзэу къыщIэжынущи. Шэрэдж гидроэлектростанц мыиным и лъабжьэр щагъэтIылъым бетоным халъхьащ къэкIуэну щIэблэм яхуэгъэза тхыгъэрэ ухуэныгъэр щыщIадза зэманым щегъэжьауэ ар зэрекIуэкIыну зэманыр къэзыбжыну электрон капсулэрэ. ЗэIущIэм хэтахэм къыкIэлъыкIуэу Iэ традзащ гидроэлектростанц мыиным и япэ кубо-метрым кIэралъхьэну фэеплъ пхъэбгъум. ЗэIущIэм и кIэухым КIуэкIуэ Казбек «РусГидро»-м къыбгъэдэкI фэеплъ саугъэт тыгъэ къыхуащIащ. ГуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ «Кабардинка», «Балкария» къэфакIуэ ансамблхэм. «РусГидро»-р Урысей Федерацэм и энергетикэ компание нэхъ лъэщхэм ящыщщ. Абы къызэщIеубыдэ электростанц 400-м щIигъу. Богучан ГЭС-р хэту «РусГидро»-м къызэщIиубыдэ электростанцхэм я лъэщагъыр гигаватт 38-м щIегъу. Тхыгъэри сурэтхэри ЖЫЛАСЭ Замир ейщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101481.txt" }
ЗакIуийм и текIуэныгъэ дахэ Каспийск къалэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ я зэфIэкI щагъэлъагъуэ «Wolnik Liga-6» пшыхьыр. Ар къызэIуахащ Дагъыстэным бэнэкIэ хуитымкIэ и школхэм я гъэсэнхэм я гуп зэхьэзэхуэхэмкIэ. Зэпеуэм и зэIущIэ нэхъыщхьи 9-м щызэпэщIэтащ урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ. Зи хьэлъагъыр килограмм 70-м нэблагъэ гупым хэт, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ЗакIуий Анзор алэрыбгъум къыщыпэщIэтащ Азербайджаным и цIэкIэ банэ Муслимов Муртазали. ЗэIущIэм и япэ дакъикъищыр ди лъэпкъэгъум и текIуэныгъэкIэ — 7:4-уэ — и кIэм нэблэгъащ. ЗэхьэрхуэрэгъуитIми баллиплI къызэрахь IэмалхэмкIэ зым адрейр тридзэри, бэнэкIэ хуитым дихьэххэм я нэгу зрагъэужьащ. Нэхъ лъэщыр щызэхэкIар етIуанэ Iыхьэм и япэ дакъикъэм и кIэухырщ. ЗакIуийм азербайджан бэнакIуэр Iэзэу идзри, текIуэныгъэр къихьащ — 11:4. Мэзкуу Къан.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101486.txt" }
ЗэфIэкI хъарзынэхэр къагъэлъагъуэу Оренбург къалэм щекIуэкIащ каратэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. «Европа — Азия» зыфIаща зэпеуэхэм хэтащ къэралым и щIыналъэ псоми къикIа спортсмен 800-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам зэхьэзэхуэм хъарзынэу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи медаль зэмылIэужьыгъуи 10 къихьащ. Апхуэдэу, щхьэзакъуэ кумитэ лIэужьыгъуэмкIэ щыбэна гупхэм пашэныгъэр щаубыдащ Гуэбэшы Аскэррэ (кг 30-м нэблагъэ) Гуэбэшы Арнэллэрэ (кг 42-м нэблагъэ). Дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ Нэгъуей Алинэ (кг 30-м щIигъу), Ирыгу Ренат (кг 52-м нэблагъэ), Щомахуэ Ислъам (кг 60-м нэблагъэ) сымэ. Блий Эмиррэ (кг 32-м нэблагъэ) Мэз Идаррэ (кг 55-м нэблагъэ) ещанэ хъуахэщ. Командэ кумитэ лIэужьыгъуэм Дагъыстэным и гуп къыхэхам хэту пашэ щыхъуащ Мэз Идар. Илъэси 8 — 9-м ит хъыджэбз цIыкIухэм я зэхьэзэхуэм Этезовэ Эльмэ, Нэгъуей Алинэ, Мочанэ Iэминэ сымэ я гупым домбеякъ медаль къихьащ. Илъэс 12 — 13 зи ныбжьхэм я деж ещанэ щыхъуащ Гуэбэшы Арнэллэ, Уянаевэ Самирэ, Залихановэ Аишэ сымэ я командэр. Къэхъун Бэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101489.txt" }
Нэхъ мащIэми, жыджэрт «Динамо» (Ставрополь) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:0. Ставрополь. «Динамо» стадион. ЩэкIуэгъуэм и 13-м. ЦIыху 250-рэ еплъащ. Судьяхэр: Дорошенкэ (Краснодар). Магомедов (Мэхъэчкъалэ). Бахус (Краснодар). «Динамо»: Малашенкэ, Чернышов, Еменов, Сорокин, Белозёров, Яковлев, Цканьян, Гаранжа, КIурашын, Майсултанов (Далиев, 62), Тимаков. «Спартак-Налшык»: Антипов, Шумахуэ З., Шумахуэ И., Сындыку, КIэдыкIуей, Бэчбо, Ольмезов (ЛIуп, 57), Черткоев, Хьэшыр, Торосян, Жангуразов. Джэгум къыхахуащ КIэдыкIуейр. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу щэбэт блэкIам «Спартак-Налшыкыр» Ставрополь щыIущIащ «Динамо»-м. ЗэIущIэр ди щIалэхэм жыджэру къыщIадзащ. Ещанэ дакъикъэр екIуэкIыу арат хэгъэрейхэм я гъуэм деж щытыкIэ шынагъуэ хьэщIэхэм къыщыщагъэхъуам. Черткоевым къыхита угловойм иужькIэ топыр къызыIэрыхьа Хьэшырыр лъэщу гъуэм и лъэныкъуэмкIэ еуащ, арщхьэкIэ сантиметр бжыгъэкIэ ар штангэм блэлъэтащ. «Динамо»-м иужьрей джэгугъуэхэм хигъахъуэ зэпыту йокIуэкI. Абы и щыхьэтщ зэман кIэщIым къриубыдэу турнир таблицэм и епщыкIуплIанэ увыпIэм къикIыу епщIанэм нэс къызэрыдэкIуэтеяр. Мы гъэм командэхэм Налшык щрагъэкIуэкIа зэIущIэм ставрополдэсхэр 1:0-у ди щIалэхэм къащефIэкIауэ щытащ. «Спартак-Налшыкым» мы зэIущIэм текIуэныгъэ къыщихьмэ, щытыкIэр зэхуэдэ хъужынут. Абыи хьэщIэхэр жыджэру телажьэрт. ЗэпэщIэтыныгъэм и нэхъыбэр хэгъэрейхэм я лъэныкъуэмкIэ щекIуэкIыурэ япэ Iыхьэр и кIэм нэблэгъащ. АрщхьэкIэ налшыкдэсхэм щIэщхъу къащыщIащ. Джэгум етIуанэ дагъуэ къызэрыщыхуащIам и зэранкIэ зэIущIэм къыхахуащ КIэдыкIуейр. Абы напIэзыпIэм жыджэрагъ къыхилъхьащ «Динамо»-м. Зы цIыхукIэ зэрынэхъыбэр къагъэсэбэпурэ ебгъэрыкIуэныгъэ зыбжанэ къызэрагъэпэщауэ командэхэм загъэпсэхуну икIащ. ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэр зэрыщIидзэжрэ куэд дэмыкIауэ бжыгъэр къызэIуихыным пэгъунэгъу дыдэ хъуат «Спартак-Налшыкыр». Черткоевым угловойкIэ къыхита топыр штрафнойм ит Хьэшырым и дежкIэ къэлъеящ. АрщхьэкIэ иужьрейр топым тэмэму техуакъым. Куэд дэмыкIыу ставрополдэсхэм ди щIалэхэр зыгъэгузэва щытыкIэ хьэщIэхэм я штрафнойм къыщызэрагъэпэщащ. Майсултановыр лъэщу зэуа топыр гъуэм щхьэпрылъэтащ. КъыкIэлъыкIуэу абы къыхита топыр Гаранжа къыIэрыхьащ. Метр зыбжанэкIэ Антиповым пэмыжыжьэу ар зэуа топыр ди гъуащхьэтетым къищтащ. Зэрынэхъ мащIэм щхьэкIэ къэмынэу налшыкдэсхэр жыджэрт. «Спартак-Нал-шыкым» къызэригъэпэща контратакэ псынщIэм хэту штрафнойм щихьэм топыр къыIэрыхьащ джэгум къыхыхьагъащIэ ЛIупым. «Динамо»-м и гъуащхьэхъумищым Iэзэу къапекIуэкIа ди щIалэр лъэщу гъуэм еуащ, ауэ топыр пхъэшыкъум техуэри, губгъуэм икIащ. Командэхэм ирагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ джэгум и зэпэщIэтыныгъэр къэщIэрэщIэжащ. «Динамо»-м щыщу зэIущIэм къыхыхьагъащIэ Далиевым угловой нэужьым къыIэрыхьа топым ди гъуэм хуэзэу къеуащ. Антиповыр зылъэмыIэсыфыну топыр хьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэхэм ящыщ зым техуэри, угловойм кIуащ. ЛIупыр нэхъапэми хуэдэу жыджэрт икIи командэр ипэкIэ игъэкIуатэрт. Топыр иIыгъыу ар штрафнойм ихьащ, арщхьэкIэ къыпэува гъуащхьэхъумэхэм гъуэм ирагъэуакъым. Абыхэм къапекIуэкIри, ар сытми гъуэм еуащ, ауэ «Динамо»-м гъуащхьэтетым топыр къищ-таш. ЗэIущIэм и кIэухыр «Спартак-Налшыкым» и тепщэныгъэкIэ иухащ. Зэман нэхъыщхьэм къыщIагъуа дакъикъэхэм ящыщ зым хьэщIэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ псынщIэм хэту ди щIалэхэр зэуа топыр гъуащхьэтетым къигъэлъеижащ. Абы ЛIупыр кIэлъеуэжат, арщхьэкIэ хэгъэрейхэр аргуэру штангэм къригъэлащ. ЕпщыкIуиянэ джэгугъуэм и адрей зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къарикIуащ: «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) — «Легион-Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — 0:6, «Ротор-2» (Волгоград) — «Дружба» (Майкъуапэ) — 0:0, «Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «Алания-2» (Владикавказ) — 3:0, «Форте» (Таганрог) — «Кубань» (Краснодар) — 1:1, «Черноморец» (Новороссийск) — «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — 3:2, СКА (Дон Iус Ростов) — «Чайка» (Песчанокопскэ) — 0:2. КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» и унэ щригъэкIуэкIынущ. ЩэкIуэгъуэм и 19-м ар IущIэнущ Новороссийск и «Черноморец»-м. ЖЫЛАСЭ Замир.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101491.txt" }
Дыщыгъуэщакъым тхыдэм, жыуегъэIэ… Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ ди хэкуэгъу бзылъхугъэ, Бытырбыху щыпсэу Щоджэн Аксанэ и тхылъыщIэ. «Къапхъэнхэмрэ пащтыхьыгъуэхэмрэ» — аращ зэреджэр и ухуэкIэкIи, зытеухуакIи, къиIэт IуэхугъуэхэмкIи зыми емыщхь, хьэлэмэтыщэу зэхэт тхылъ гъэщIэгъуэным. «НэгъуэщIу къекIуэкIатэмэ» жыIэгъуэр блэкIам пхуехьэлIэркъым — къэхъуам, екIуэкIам дерс къыхэпхыфынуращ, абы пхухэлъхьэни зэпхъуэкIыжыни хэлъкъым. Ауэ псалъэ зэгъэпэщам и Iэмалхэр зэмылIэужьыгъуэ куэд хъум къыщынэркъым, и зэфIэкIхэри инщ. Нобэрей дунейм диплъу къэхъуам ди акъыл хэтлъхьауэ щытамэ, зэрыхъунур ди нэгу къызэрыщIыхьэр апхуэдизкIэ нахуэу тхыгъэм щызэкIэлъыгъэкIуащи, шэч хэлъкъым, тхылъеджэм ар гукъинэж зэрыщыхъунум икIи къызэрищтэнум. Тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляров Виктор зэрыжиIэмкIэ, тхыгъэшхуэм купщIэ хуэхъуа къэхъукъащIэхэр узыIэпызышэ бзэкIэ тха, узытезымыгъэплъэкъукI Iуэхугъуэхэм ятещIыхьа тхыдэ-фантастикэ романщ. Тхыгъэм дызыхиша дыгъуасэрей махуэхэм я пэжым тхакIуэр блэIэбыкIыркъым, ауэ абыхэм нэгъуэщI еплъыкIэкIэ дыбгъэдешэ, нэгъуэщI къэIуэтэкIэкIэ гъунэгъу дыхуещI. ФIыуэ дызыщыгъуазэ тхыдэм тхакIуэ ныбжьыщIэр къыщхьэщыту къыхэплъэм хуэдэщ. Абы хуэкIуэ лъагъуэм зригъэубгъурэ, дэри гъусэ дыздищIурэ Щоджэныр тхыдэм хохьэ, зы Iуэхугъуэ гуэр къэмыхъуатэмэ, нобэм дыкъызэрыкIуэцIрыкIынур мы гъуэгурат, жиIэу тхыгъэм зрегъэшэщI, и гупсысэ щхъуэкIэплъыкIэхэм зрагъэужь. Романым къиIуатэр кIэщI дыдэу. Ди лъэхъэнэгъу, адыгэ журналист щIалэ Аслъэнбэч къыщыщIедз блэкIам, ди лъэпкъыр гъуэгу зэхэкIыпIэхэм нэсыхукIэ здигъэзэну лъэныкъуэр къыщыхих илъэс гъае зэхуэмыдэхэм. Аслъэнбэч екIуэкIым и кIэлъыплъакIуэ, лъэхъэнэ зэблэкIыгъуэхэм зыщызыплъыхь къэкIухьакIуэ къудейуэ къанэркъым; абы и къару илъщ адэжь лъахэм и Iуэхум фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъезыгъэгъэзэн гупсысэхэмрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмрэ пащтыхьхэмрэ тетхэмрэ ябгъэдилъхьэну. Ар зыхуэзэри цIыху къызэрыгуэкIкъым, атIэ лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм псэуами, дунейпсо тхыдэм лъэужьышхуэ къыщызына цIыхуищым яIуощIэ: Къэбэрдейм и пщышхуэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ, Урысей пащтыхьыгъуэм и тахътэм куэд дэмыкIыу техьэну пащтыхь щауэ Александр Ещанэм, Гитлер Адольф къэзылъхуа и анэм… Аслъэнбэч тетыгъуэр зыIэщIэлъхэм епсэлъа нэужь, адыгэр зыгъэунэхъуа Урыс-Кавказ зауэри, Урысеймрэ Япониемрэ я зэхуаку къыдэхъуа зауэзэрылIри, дуней псор зэщIэзыгъэзджызджа революцитIри къэхъуркъым. Ар щыгъэтауэ, дунейпсо зауитIри, граждан зауэри къызытехъеикIа щхьэусыгъуэхэр дунейм щекIуэкIыркъым, Аляскэ щIыгури Урысейм къыхуонэж. БлэкIа гъащIэм зекIуэ кIуэуэ къэзыгъэзэжа адыгэ щIалэр Урысей пащтыхьыгъуэм къыхохьэж… Дауи, тхакIуэм ди пащхьэ кърилъхьэ и IэдакъэщIэкIым фантастикэм и нэщэнэ куэд хэплъэгъуэнущ. Ауэ, хьэлэмэтращи, фантастикэри тхыдэм пэж дыдэу къыщыхъуа къэхъукъащIэхэм къагъэщIыфыну къыщIэкIащ. Сыту щымытми, нэхъыщхьэращи, Хэку цIыкIуми Хэкушхуэми я тхыдэ щапхъэхэр зы къэмынэу хэкупсэ пщалъэм щIэгъэкIащ, гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ зиIэ гупсысэкIэ узэдащ. «Къапхъэнхэмрэ пащтыхьыгъуэхэмрэ» тхыдэ-фантастикэ романыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Щоджэн Аксанэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Къармэхьэблэ 1977 гъэм къыщалъхуащ. Абыкъухьэблэ дэт курыт еджапIэр 1994 гъэм дыжьын медалкIэ къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием щIэтIысхьащ. Диплом плъыжьыр къызэрыIэщIалъхьэжу, Щоджэным и щIэныгъэм хигъэхъуэну аспирантурэм щIэтIысхьащ, Бытырбыху дэт, экономикэмрэ финанс хуэIухуэщIэхэмкIэ къэрал университетым и кандидат лэжьыгъэр щыпхигъэкIащ 2005 гъэм. Иужьрей илъэсхэм Аксанэ тхэным дихьэх хъуащ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ «ФIы щIэныр зищIысыр» Iуэтэжыр, «МыкIуэдыжын зэпыщIэныгъэхэр» повестыр, нобэ тхылъеджэм зэрыдэгуашэ тхыдэ-фантастикэ романыр. Щоджэныр урыс пащтыхь Иуан ЕплIанэм теухуа романыщIэм йолэжь. ТхакIуэм къалэнышхуэ зыхуигъэувыжащ — адыгэпщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэней, тхыдэм Марие цIэмкIэ къыхэна адыгэ жангуащэм, кIэрылъ пцIы къомыр техыжыныр, гугъуу къихьа и гъащIэ мащIэм и пэжыр сэтей къэщIыжыныр. НэхъапэкIэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм къагъэлъэгъуащ Щоджэныр тхыдэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр, абы и щапхъэхэм зэрахуэIэрыхуэр икIи зэрыримыджэгур, атIэ зэрыхуэсакъыр. Аксанэ иджыпсту зэлэжь тхыгъэр фIэщщIыгъуафIэу, архив тегъэщIапIэхэмкIэ бейуэ зэрыщытынум, уеблэмэ апхуэдиз тхыдэ тхылъымпIэм я текстыр псалъэ зэгъэпэщам и Iэмалхэр фагъуэ щIэмыхъукIыу, зэрыуэзэрыбг мыхъуу и кIэм зэрынигъэсынум шэч хэлъкъым. Щоджэн Аксанэ тхыдэ зэхэщIыкI зыбгъэдэлъ, къызыхэкIа лъэпкъымрэ абы и тхыдэмрэ гууз-лыуз яхузиIэ тхакIуэ ныбжьыщIэщ. Гупсысэ зэгъэзахуэ зиIэ бзылъхугъэ тхакIуэр лъэпкъ литературэм и уафэгум вагъуэ цIыкIуу къызэритIысхьэнум пцIы хэлъкъым. Ар хущIокъу и лъэпкъым — адыгэм — и цIэр лъагэу иIэтыну. А зы щхьэусыгъуэ закъуэм фIэкIа хэмылъами, абы и цIэр адыгэм я тхыдэм къыхэнэнущ. Тхыгъэм хэлъ узыфIэмыкIыжын фIагъыр къалъытэри, Котляровхэрэ Бекъул Аниуаррэ я тхылъ тедзапIэхэм я мылъкукIэ къыдагъэкIащ. Тхылъыр бжыгъэкIэ мащIэ дыдэущ дунейм къызэрытехьар — щитI къудей хъууэ аращ. Ар зыIэрызыгъэхьэну хуейхэр Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тыкуэным щыщIэупщIэ хъунущ. УкъызыхэкIа лъэпкъым ухуэлэжьэныр щIыхь зыпылъ Iуэхугъуэщ. Сыт хуэдэ бгъэдыхьэкIэкIэ абы и тхыдэм убгъэдэмыхьэми, пцIы хыумылъхьэныр, ар нэгъуэщIхэм фIыуэ егъэлъагъуныр, пщIэ хуащIыну къыхуеджэныр нэхъыщхьэхэм ящыщщ. РоманыщIэм тхыдэм дызэрыщымыгъуэщар хьэкъ тщищIащи, абы и лъэныкъуэкIэ Щоджэным фIыщIэ хуэфащэщ. Аксанэ игуми и Iэпэми къыпыкIыр пщIэ зыпылъ Iуэхущи, и цIэми и IэдакъэщIэкIхэми щIэупщIэ ягъуэтыну, нэхъри ефIэкIуэну ди гуапэщ. ШУРДЫМ Динэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101495.txt" }
Быщтэ Азэмэт и вагъуэ Адыгэ Республикэм, КъБР-м щIыхь зиIэ я артист Быщтокъуэ (Быщтэ) Азэмэт цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэджыIакIуэхэм ящыщщ. Азэмэт Адыгейм къыщалъхуащ. ЩIыналъэм и къалащхьэ Мейкъуапэ дэт гимназиер ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. ЗэрыцIыкIурэ къафэр, макъамэр зи псэм хэлъ щIалэм и уэрэд жыIэкIэр, утыку итыкIэр, зыми хэмыгъуащэ и макъ жьгъырур куэдым ягу ирохь, пшыхь зэмылIэужьыгъуэхэм Iэгуауэшхуэ щыхуаIэт. «Мейкъуапэ пшэплъхэр» ансамблым илъэс 15-кIэ хэта щIалэр пшынэ, бэрэбан еуэным хуэхамэкъым, уэрэд жыIэнми хуэIэзэщ. — «Мейкъуапэ пшэплъхэр» ансамблым сыхэту япэу Налшык сыкъыщыкIуам гуапэу къытIущIащ «Нал цIыкIу» гупым и художественнэ унафэщI Куэшей Аликрэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ къызэрагъэпэща «Нал цIыкIу» псапащIэ фондым и унафэщI Борсэ ХьэIишэтрэ. Абы лъандэрэ дызэроцIыху, дызэкIэлъокIуэ. Къафэм и мызакъуэу, Алик сабийхэр хабзэм, нэмысым, утыку ихьэкIэм, гуп хэтыкIэм хуегъасэ. Къэфэным гугъуехьу пыщIамрэ дэрэжэгъуэу къуитымрэ фIыуэ сыщыгъуазэщ. АбыкIэ фIыщIэ яхуэфащэщ икIи сахуэарэзыщ сыщысабийм къафэм сыхуэзыгъэса Къул Мухьэмэдрэ Ныныжь Айдэмыррэ. Уэрэд жыIэнымрэ къафэмрэ зыр зым къыгуэсхыркъым. КъэфакIуэ ныбжьыщIэхэм ехъулIэныгъэфIхэр яIэну, абыхэм я гъэсакIуэхэм узыншагъэрэ гуфIэгъуэрэ якуэдыну сахуохъуапсэ, — жеIэ Быщтэ Азэмэт. Быщтэр Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэми Урысейми щыцIэрыIуэщ. УэрэджыIакIуэм и Интернет сайтым ущрохьэлIэ Астрахань, Москва, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэухэр абы и концертхэм къыщIэупщIэу. Макъамэр фIыуэ зылъагъухэм я гур къэзыхьэхуфа, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ щIалэ лъагъугъуафIэр мыгувэу Урысей псом цIэрыIуэ зэрыщыхъунум шэч къытетхьэркъым. Азэмэт игъэ защIэ уэрэдхэм («Си дахэ, уей», «Узмылъагъуу махуэр блокI», «Лъагъуныгъэ», «Си дахэкIей», «Си дахэ цIыкIу», «Потанцуй», «Нас судьба связала», «Лилии», «Сто причин», «Я не стану», «Скучаешь», «Горький чай», «Моё сердце», «Украду тебя», нэгъуэщIхэми) цIыхухэр щIыпэджэжым и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ. Ахэр лъагъуныгъэм, насыпым, зыгъэгумэщI Iуэхухэм ятеухуащ, жыпIэнумэ, а уэрэдхэр цIыхухэм я псэм пэгъунэгъущ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр, пшыхьхэр, хьэгъуэлIыгъуэхэр ягъэдэхэн папщIэ Быщтэр зэпымыууэ ирагъэблагъэ. КъыжыIапхъэщ, Азэмэт утыку ихьамэ, уэрэд зыбжанэ жимыIауэ къызэрырамыгъэкIыжыр, щIалэм и макъ щымыIу зэхыхьэхэри зэшыгъуэ хъууэ къалъытэ. КъищынэмыщIауэ, Мэремыкъуэ Резуан, Лилу, НэщIэс Анжеликэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Тхьэгъэлэдж Мурат, Лауритэ, нэгъуэщIхэм ящIыгъуу Азэмэт игъэзащIэ уэрэдхэри цIыхухэм япхъуэтащ. «9 волна» макъамэ телеканалымкIэ екIуэкI хит-парадым Быщтэ Азэмэт зэпымыууэ пашэ щохъу. — Иджыпсту нэхъыбэу зиужь ситыр си псэм нэхъ пэгъунэгъу адыгэ уэрэдхэращ. Си уэрэдхэр щызэхуэхьэса дискыщIэр дунейм къызэрытехьэрэ куэд щIакъым. Концертхэр Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэхэрщ нэхъыбэу щыстыр. Хабзэ хъуауэ, ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу концертхэр стырт, иужьым коронавирусым къыхэкIыу къызэдгъэпэщыну къыдэмыхъулIэми. Дунейр тIэкIу нэхъ зэтеувэжмэ, а Iуэху дахэм иджыри пысщэну си мурадщ, — жеIэ Азэмэт. И ныбжьыр илъэс 23-рэ фIэкIа мыхъуауэ «Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэщар закъуэтIакъуэщ. А ехъулIэныгъэр къыпэкIуащ и гур етауэ, и къаруи зэмани емыблэжу Азэмэт и лэжьыгъэм зэрыпэрытым. Ди гуапэщ и зэфIэкIым хигъахъуэ зэпыту ар иджыри куэдрэ утыку итыну, цIыхухэм я гукъыдэжым пэджэж уэрэдыщIэхэмкIэ дигъэгуфIэну. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101498.txt" }
Зи сурэтхэр щIэщыгъуэ Тэрч щыщ, а къалэм щIыхь зиIэ и цIыху, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, сурэтыщI Iэзэ Гъыдэ Валерэ и сурэтхэр щIэщыгъуэщ. Гъыдэ Валерэ Курп Ищхъэрэ (Къаншыуей) къуажэм 1945 гъэм къыщалъхуащ. Ар зыхуеджэну IэщIагъэр пасэу къыхихат. Курыт школым щыщIэсми Валерэ дахьэхырт тхылъхэм ит сурэтхэм, языныкъуэхэм дежи фIэгъэщIэгъуэну абыхэм къатрищIыкIырт и лэжьыгъэхэр. ЖыпIэнуракъэ, сурэт щIыным Валерэ зэрыцIыкIурэ хуэнэхъуеиншэт. А IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэ курыт школым щимыIами а Iуэхум зэрыдихьэхыр зы-лъагъу и гъэсакIуэхэм трагъэгушхуэрт, чэнджэщ щхьэпэхэр къратырт. Школыр къиуха нэужь, Валерэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм сурэтыщIу лэжьэн щыщIидзащ. Тхьэмахуэм щыIэну пшыхьым е кином теухуауэ плакат ищIырт, ахэр зэбгригъэхырт. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм гупсысэ куу хилъхьэрт сурэтыщI ныбжьыщIэм: кино щыIэнумэ — абы щыщ зы кадр гуэр а плакатым трищIыхьырт, цIыхухэр нэхъ къыдихьэхын папщIэ, концертхэри зэрыхьэлэмэтынур тхылъымпIэм къыщигъэлъагъуэрт. Валерэ сурэт щIыным зыщыхуигъэсащ Пионерхэм я унэм (иджы Сабий творчествэмкIэ унэрщ). А еджапIэм абы щыгъуэм щыIащ СурэтыщI гъуазджэмкIэ студие, художник гъуэзэджэ Ткаченкэ Андрей игъэлажьэу. Валерэ абы щеджащ, нэхъыжьым и IэпщIэлъапщIагъэм кIэлъыплъащ. «Хуэфащэ дыдэу а цIыху гуащIафIэм и цIэр фIащыжащ СурэтыщI гъуазджэмкIэ музей Налшык къалэм дэтым. Къапщтэмэ, сэ сурэт щIынымкIэ лъабжьэ быдэ сэзыгъэгъэтIылъар а художникырщ. Сызэрыригъэджар зэман мащIэми, къысхилъхьар сэркIэ лъапIэ дыдэщ», — жеIэ Гъыдэм. 1964 гъэм и бжьыхьэм Валерэ дзэм къулыкъу щищIэну ираджэри, Германием илъэсищкIэ щыIащ. Абы щыгъуэми зэман къыщыхудэхуэкIэ и IэщIагъэм хигъахъуэрт. ИлъэситIым къриубыдэу абы игъэщIэрэщIащ сэлэтхэм я «Красный уголок»-р, стендхэр ищIащ. Апхуэдэу ещанэ илъэсым Офицерхэм я унэм щхьэкIэ сурэтхэмрэ плакатхэмрэ ищIащ. И лъахэм къигъэзэжа нэужь, Гъыдэр Налшык дэт Автотранспорт комбинатым сурэтыщIу щылэжьащ. ИужькIэ гупыж ищIащ и щIэныгъэм хигъэхъуэну. Ар щIэтIысхьащ Дагъыстэным и художественнэ училищэм, Кавказым щынэхъыфI дыдэу къалъытэм. КъыжыIапхъэщ, Валерэ и лэжьыгъэхэр зылъэгъуа егъэджакIуэхэм ар занщIэу етIуанэ курсым зэрагъэкIуар. Абы еджапIэр щытхъурэ ехъулIэныгъэрэ иIэу къиухащ. А зэманым къриубыдэу Валерэ и лэжьыгъэхэр мызэ-мытIэу зэпеуэ зэхуэмыдэхэм хигъэхьащ, Санкт-Петербург щекIуэкIа выставкэри хэту. Налшык щылэжьэну зи мурада Валерэ Тэрч къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм хэт лъэщапIэр къратри, и къалэнхэм къызыхуэтыншэу пэрыхьащ. Мы зэманым ЩэнхабзэмкIэ управленэм щолажьэ. Абы и лэжьыгъэхэр нэхъыбэу триухуащ цIыхухэм я сурэтхэр щIыным, щIыуэпс къулейм и теплъэ дахэр къэгъэлъэгъуэным, музейхэр гъэщIэрэщIэным. Къэгъэлъэгъуапхъэщ Дей къуажэм и курыт школым хэту къызэрагъэпэща, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ музейр, абы екIуу зэригъэщIэрэщIар. Апхуэдэуи екIуу зэригъэпэщащ Инары-къуей къуажэм Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Лениным и цIэр зезыхьэ колхозым и тхьэмадэу щыта Пэнагуэ Азэмэтджэрий и цIэр зыфIаща музейр. Тэрч районымрэ къалэмрэ я гербхэр зыщIар Гъыдэ Валерэщ. Гъыдэм и IэдакъэщIэкIхэмкIэ гъэдэхащ ар щылажьэ Тэрч къалэм тхыдэмкIэ и музейр. Апхуэдэщ «Нартхэр къызэрыунэхуар» сурэт щIэщыгъуэр. А лэжьыгъэр Валерэ, Хьэцым Мурадин, Хъуэст Анатолэ сымэ зэдащIащ. Налшык СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм ар щагъэлъэгъуащ нарт эпосыр илъэс минищ щрикъум ирихьэлIэу. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101501.txt" }
Сабиймрэ таурыхъымрэ Лъэпкъым пщэдей иIэкъым, абы кIуэну нобэрей щIэблэм уадэмылажьэмэ, я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зумыгъэужьмэ, лъэпкъыпсэ яхыумылъхьэмэ. Абы и IуэхукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, ХьэцIыкIу Рае къыхилъхьа гупсысэм адэкIэ къыпыдощэ. Хамэ къэрал мультфильмхэм я зэран мымащIэу къалъос хъыджэбз цIыкIухэм. Адыгэм и гурыIуэныгъэмкIэ, ахэр укIытэхыу, я нэ ирахьэхыу, щабагъэ яхэлъу, Iэдэбу псалъэу щытын хуейщ. Таурыхъ-хэм сыт щалъагъур? Хъыджэбз цIыкIуу щытын хуейхэм я Iэпкълъэпкъыр балигъ Iэпкълъэпкъщ, щIыкIэ яхэлъкъым, я нэгум укIыти фIэлIыкIи къищыркъым, щыпкъагъ жыхуаIэм хуэхейщ. Психологхэм зэратхымкIэ, апхуэдэ мультфильмхэр зытращIыхьыр еплъхэм цIыху тэмэмым и хьэл-щэнрэ щытыкIэрэ ямыIэнырщ, акъылыншэу, щIыкIэншэу къэхъунырщ. Ари къэралым, абы ис лъэпкъхэм зэрезауэ Iэщэу мэув. Еплъахэм я нэгу къыщIрегъэхьэж «Шрек» хэт Фионэ и зэуэкIэр: щысхьыншэу, Iэзэу, фIэфIыпсу. Дэтхэнэ сабийра апхуэдэ дыдэу а Iуэхур къехъулIэну щIэмыхъуэпсынур? ЗыпащIыжынущ, яужь ихьэнурэ загъэсэнущ, гупсэхуу принцессэм кIэлъыплъынущ, и зэуэкIэм и щэхухэм гу лъатэу. Хъыджэбз хущытыкIэкъым Шрек, къэпыжь хуэдэу, Фионэ и плIэм илъу щихьыр. «Зыкъыпригъэхыурэ» жьэхоуэIуэри егъэлъей, принцессэр къуацэ-чыцэм хохуэ, адрейми ар игу ирохь. Псом хуэмыдэу хъыджэбз цIыкIухэр лIыхъу щытыкIэм хуэзыгъасэр фантастикэ жанрым иту Амери-кэм щызэхалъхьа мультфильмхэращ. Абыхэм щалъагъумрэ щызэхахымрэ щапхъэ зы-хуэхъу сабийхэм я балигъ гъащIэм зэраныгъэшхуэ хэзылъхьэн Iуэху еплъыкIэ ягъуэт. ЦIыхубзри цIыхухъури къызыхуигъэщIам темыту, къызыхуимыгъэщIам щIытехьэм ари дэIэпыкъуэгъу хуэхъуу психологхэм къагъэлъагъуэ. Сабий психологхэм къызэралъытэмкIэ, мультфильмхэм сабийр балигъ зэхущытыкIэм тезышэ, езыгъэгупсыс теплъэгъуэхэр щыхэтым деж, а ныбжьым итым и гупсысэр, зэфIэкIыр зыпэмылъэщын къыпагъэуву аращи, абы и псантхуэр ныкъуэдыкъуэ ещI. Балигъ хъууэ унагъуэ иухуэным Iуэхур нэса иужь, ар къехъулIэжыркъым, насыпыншэ мэхъу. Телевизорым «кIэрыпха» сабийм и хьэлым зэрызидзым, сыт и лъэныкъуэкIи мыадыгэ псэлъэкIэм зэрытехьэм япэ дыдэу къигъэуIэбжьын хуейр унагъуэм исхэращ. Я жьэм къыжьэдыхьэр жаIэмэ, укIытэ ямыIэу зызэкIэщIашмэ, гущIэгъу зэрахэмылъыр къозыгъащIэ щытыкIэ нэхъ цIыкIухэм, псэущхьэхэм хуаIэмэ, балигъхэм жаIэнущ: зэщхь хъуар къытхуэщIэркъым, дэ апхуэдэ едгъэлъагъуркъым икIи зэхедгъэхыркъым. Зэщхь хъуар аращ — яфIэфIыпсу зрагъэплъа хамэ къэрал мультфильмхэм я лIыхъужь зыкIи ди лъэпкъым и щхьэхуэныгъэхэм къытемыхуэм техьащ. Къытепшыжыфыну? Сыт хуэдизкIэ еса мыхъуами, сабийр жэщи махуи мультфильм еплъыркъым. Абы къыбгъэдэзыш щхьэусыгъуэхэр щыIэщ. Сабий садым макIуэ, хьэблэ цIыкIухэм щадэджэгуи къыхуохуэ. Нэхъыщхьэу сабийр зыхуэныкъуэри Iэмалыншэу къэуври адэ-анэм зэман дагъэкIуэнырт, уэршэрэгъу къыдэхъунырт, ауэ нэхъ мащIэ дыдэу абы и гъащIэм хэтыр адэ-анэрщ. Ахэр хунэсыркъым быным дэщIыгъуну. Я Iуэху хуэкIуэркъым: лэжьапIэ, унагъуэ къалэн, хабзэ щIэн, ныбжьэгъу-жэрэгъухэм зэман яхухэхын. Сабийращ мыдауэр, мыбиер. ХуащI и унафэщ. Нэхъ цIыкIуху. Сабий садым кIуа цIыкIухэм я щытыкIэм, псэлъэкIэм сабий зэхэтыкIэ-зэхущытыкIэм хэмызагъэ гуэрхэр къыхэпшэхъуауэ гу щылъатэкIэ, гъэсакIуэхэр яужь йохьэ епсалъэурэ, а ныбжьым фIэхьэлэмэтын хуей Iуэху гуэрхэм хашэурэ тэмэмыпIэм ирагъэувэжыну. Къару ирахьэлIэм ехъулIэныгъэ лъэпкъ къызэрыпэмыкIуэр ялъэгъуа нэужь, адэ-анэм зыхуагъазэ сабийм дохутыр къыкIэлъагъэплъын хуейуэ чэнджэщ ирату. Сыт щIрагъэлъагъунур? Сабийм зыри и лажьэкъым. КъэгубжьыгъуафIэу, псалъэ дыдж къыжьэдэкIыу ара? Арамэ, гъэсакIуэр, егъэджакIуэр кIэлъреплъ и жагъуэ къамыщIыным, фIэмыфI кърамыщIэным. Лей къылъысмэ, къэгубжьурэ жимы-Iэн жеIэ, зызэримыщIын зещI. АдыгэбзэкIэ мыпсалъэу ара? ФIэфIкъыми псалъэркъым. «Я ненавижу этот ваш кабардинский язык», — жеIэ. Хуейкъым адыгэбзэм, къызэралъхурэ зэрыпсалъэр урысыбзэщ. Инджылызыбзи къыщыхыхьэ щыIэщ. Сыт абы щхьэкIэ специалистым щIезгъэлъагъунур? Арыншами абы адыгэбзэр зыкIи къигъэсэбэпынукъым. Мис апхуэдэ къулейсызыгъэ мымащIэу ущрихьэлIэнущ ди нобэрей адыгэ къуажэхэм. Апхуэдэ сабийр щыпсэур мы дэ дызытет дунейр аракъым. ТелевизоркIэ зэплъ таурыхъхэм зыхаша виртуальнэ дунейм къыхэнащи, мыдэкIэ къыщинахэм жаIи ящIи къыгурыIуэжыркъым. Гущэм щыхэлъам къыщыщIэдзауэ илъэгъуа, зэхиха бзэр къищтащи, абы текIыжын хуейуэ ищIэркъым икIи елIалIэ егъэджакIуэм е гъэсакIуэм я зэфIэкIыр хурикъуркъым сабийм игъуэта гупсысэкIэри псэлъэкIэри яхъуэжыну. Таурыхъхэм яхузэфIэкIащ адыгэ сабийр адыгэ лъэпкъым щымыщ щIыныр, зейхэм ягурымыIуэжыныр, щхьэхуещагъэр и гъащIэм щытепщэ хъуныр. Куэд мэхъу адэ-анэхэм я тыншыгъуэм тыхь хуащIа сабийр зыIууэ лъэпощхьэпор. И закъуэ дыдэу зыри псэуфыркъым. Зыгуэр уиIэн хуейщ псэлъэгъуу, дэджэгуэгъуу. Зи дунейр хъуэжа хъуа сабийр езым хуэдэхэм яхэзэгъэжыркъым. Джэгун хъумэ, абы ищIэр «уи щхьэр пысчынщ», «успIытIынщ», «узукIынщ» псалъэхэращ. Езым гушыIэу щигугъэжми, къыжьэдэкIыр и дэджэгуэгъухэр къэзыгъэгубжь, къызэщIэзыгъаплъэщ. Ауэрэ зыхамыгъэхьэу, зыдагъэджэ-гун ямыдэу щIадзэри, Iумпэмым Iуэхур хуокIуэ. Псалъэмакъ щхьэхуэ ещIылIапхъэщ а урысыбзэкIэ къэпсэлъа адыгэ сабийм и урысыбзэр здынэсым. Абы къигъэсэбэпыр таурыхъхэм «къыхикъузыкIа» псалъэ гупщи, абы текIыу литературэм щызекIуэхэр къыхуэщтэжыркъым. Зэпымычу зэплъа мультфильмхэм хэта псалъэхэр зыщIишащ, и къэпсэлъыкIэкIи, щыпсалъэкIэ и Iэ, и нэкIу гъэлэжьэкIэри зэса таурыхъ лIыхъужьхэм ятриха сурэтыращ. Литературэбзэр абы дежкIэ хамэщ, и нэгу щIэкIа гуэр а и урысыбзэмкIэ къиIуэтэжыфынукъым, удихьэхауэ узригъэдаIуэу махуэ къэс гъащIэм хиубыдэ Iуэхухэм тепсэлъыхьыфынукъым, сабийхэм зэрахабзэу, зыгуэрхэр и нэгу къыщIигъэхьэу, къызыфIигъэщIу, ар уэри зыхыуигъащIэу къиIуатэу къыббгъэдэсыфынукъым. И нэгу зыгуэр къыщыщIигъэхьэми, зауэ-банэм пыщIарэ адыгэ щIыкIэм къимытIэсрэщи, абыи щызгъэужащэрэт, жозыгъэIэщ. Апхуэдэ IэнатIэ Iуува адэ-анэхэр тIэкIуи ирогушхуэ я сабийм анэдэлъхубзэм и пIэкIэ урысыбзэр къызэрищтам. Ауэ а бзэр урысыбзэ тэмэмуи зэрыщымытыр, а тэмэмым тепшэжын щхьэкIэ дохутыр къеIэзэн зэрыхуейр а адэ-анэхэм къагуригъаIуэу еIэзэн дэнэ къитхыну? Зи гугъу тщIы щытыкIэ шынагъуэм ихуа зы сабий и хьэл-щэн хъуар тегъэщIапIэ тщIынщ балигъхэм я зэранкIэ сабийм къыщы-щIыр наIуэ хъуным папщIэ. Япэ псалъэу къыжьэдэкIар урысыбзэщ. Таурыхъхэм хэт лIыхъужьхэм ещхьу, зэпишу, абы хуэкIуэу и Iэ-и лъэр, и нэкIухэр ищIу, и макъыр хъуэжауэщ зэрыпсалъэр. Балигъхэм ящыщу зригъэпсалъэри зыбгъэдигъэхьэри и анэмрэ пэщIэдзэ классым щезыгъаджэмрэщ. ЕгъэджакIуэр Iэмалыншэу и гъащIэм зэрыхэтынур къыгурыIуащи, ешэч, ауэ классым щIэс адрей сабийхэм и чэнджэщхэр къызэращтэм хуэ-дэу мы цIыкIур щытыфкъым. ЕджапIэм къыщыщIэтIысхьагъащIэм и еджэгъу хъуахэм яфIэхьэлэмэтт зыми имыщIэ урысыбзэмкIэ а зыр зэрыпсалъэр, нэхъ нэ лейкIэ еплъхэрт. Ауэрэ гу лъатащ абы и дунейр нэгъуэщIу зэрыщытым. Я джэгухэм хэмызагъэ, я псэлъэкIэм темыхуэ, я гушхуэкIэм лъэщIэмыхьэ ныбжьэгъур ямыгъэныбжьэгъуж хъуащ. «Уэ усабий цIынэщ, садым ущыIэн хуейщ», — щыжраIэ къохъу. Гупым хэтми, мы сабийм и закъуэ дыдэщ. Иджыпсту дэIэпыкъуэгъу игъуэту виртуальнэ дунейм къыхамышыжмэ, и балигъ гъащIэр зэрыхъунум уегъэгузавэ. Абы щыгъуэми диIэ апхуэдэ IэщIагъэлIрэ щIэныгъэлIрэ, зыхуэбгъазэмэ къыбдэIэпыкъуфыну? Мыпхуэдэ щытыкIэм ит сабийхэр иджыпсту ныбжькIэ зыхиубыдэр сабий садымрэ пэщIэдзэ классхэмрэщ. Насыпыншагъэр къызэрытхыхьэрэ илъэс бжыгъэшхуэ хъуакъыми, хуеджарэ хуэхьэзыру IэщIагъэлI диIэкъым. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, щыдиIэнур зы щIэблэр тIэщIэкIрэ, къэхъуамрэ къыщIэхъуамрэ, абы узыхуишэмрэ узришалIэмрэ нэгум щIэкIа нэужькIэщ. Абыхэм якIэлъыплъурэ, зэгъэпщэныгъэ, къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыурэ, узэреIэзэ хъуну Iэмал гуэрхэр къахутэну къыщIэкIынщ. Ауэ быныракъэ дыкъызыдэмыхуэ лэжьыгъэри унагъуэри щIызетхьэр? Нэхъыбэрэ даригъусэныр, псэлъэгъу дахуэхъуныр, я гъащIэм ирикъуу дыхэтыныр зэрынэхъапэр хьэкъыу тпхыкIыныращ а Iуэхум и хущхъуэгъуэ нэхъыщхьэр. Хущхъуэ лъапIэми, а зыращ Iэмалыр. Апхуэдэ гуэрщ адыгэм «цIыху зыпI цIыху уасэ хон», щIыжиIар. ЗэкIэ яхузэфIэкIынур аращи, ди сабийм я узыншагъэр тхъумэжыну, цIыхум яхэзагъэу къэдгъэхъуну дыхуейр пэжмэ, IэщIагъэлIхэм чэнджэщ къыдат. Псом япэрауэ, илъэситI иримыкъуа сабий телевизор ебгъэплъ хъунукъым. Илъэсищ иримыкъуа сабийм хузэфIэкIыркъым зэуэ дэIуэнри, зэхэхынри, зыгъэхъеинри. Аращ экраным етIысылIа нэужь псалъэмакъи, Iэуэлъауи зэхамыхыу, мыхъейуэ щIыщысхэр. Апхуэдэ щытыкIэм зэкIэлъыпыту ит сабийм зигъэхъеин и жагъуэу, и псэлъэкIэр зэкIэлъымыкIуэу, и нэ жанагъым кIэрыхуауэ, и пIащагъым хэхъуауэ, и псантхуэмрэ губзыгъагъымрэ я зыужьыныр хуэм хъуауэ, бэлыхь хохуэ. Илъэсищ нэужьми хэплъыхьурэ къыхухаха таурыхъхэм еплъу фIэкIа, зэман кIыхькIэ бгъэдэс хъунукъым. Зы махуэм нэхъыбэ дыдэу телевизор еплъыным сабийм тригъэкIуэдэн хуейр сыхьэтрэ ныкъуэрэщ. Ари узыншэмэ. Сымаджэу щытмэ, емыплъыххэныр е нэхъ мащIэжу еплъыныращ тэмэмыр. Нэм и узыншэным теухуауэ Iуэхум убгъэдыхьэмэ, сабийр нэхъ гувауэ телевизор еплъыным пэрыхьэху, нэхъыфIщ. ИкъукIэ зэраныгъэ къэзышэщ сабий цIыкIур и закъуэу телевизорым пэрагъэтIысхьэу балигъхэм лъэныкъуэ зрагъэзыжыныр. А зэплъым и гъусэу утепсэлъыхьмэщ щекIуэкIыр зэхэхауэ къыщыгурыIуэр. Илъагъум теухуауэ сабийм игъэув упщIэхэм жэуап нэс игъуэтыпхъэщ. Таурыхъыр иуха нэужь абы тепсэлъыхьыжыпхъэщ. Сыт къыщыхъуа, тэмэмт лIыхъужьхэм я щытыкIэр, ялэжьа Iуэхухэр, я псэлъэкIар? Дауэ ящIам нэхъыфIт? Абы щыгъуэхэми адэ-анэр а таурыхъым сабийм япэ еплъауэ, зытеухуамрэ хэт лIыхъужьым я шыфэлIыфэмрэ ищIэущ зэрыщытын хуейр. Уоплъри, зэхыбогъэкI: си сабийм и зыужьыныгъэмкIэ сыт и сэбэпынагъ е и зэранагъ мыбы? КъыгурыIуэну? Сэ сыхуей мыбы хэт лIыхъужьхэм я хьэл-щэным щыщ зыхилъхьэну, я псэлъэкIэр къищтэну? Иджыпсту сабийм щIэныгъэ къызыхихын, дыкъэзыухъуреихь ду-нейм щызыгъэгъуэзэн, зэхущытыкIэ тэмэмхэм гу лъезыгъэтэн мультфильмхэр щыIэщ. Апхуэдэщ «Смешарики», «Барбоскины», «Лунтик» сериалхэр, сабий Iущыцэ Джимми Нейтрон теухуар, нэгъуэщIхэри. Иджырей мультфильмхэмрэ сабиймрэ пыщIа проблемэхэм тогузэвыхь дуней псом псантхуэм елэжьу тетыр. Зыгъэгузэвэни ялъагъу. Псалъэм папщIэ, «Покемоны» мультфильм сериалым и Iыхьэу щэщI хуэдизым еплъа сабийхэм ящыщу щитху хуэдизыр сымаджэщым щIэхуащ эпилепсие узыфэ бзаджэм и нэщэнэхэр яIэу. «Симпсоны», «Гриффины» мультфильмхэр сабийм я узыншагъэм зэран хуэхъуу къалъытэри, адэ-анэ гупым ахэр къэзыгъэлъэгъуа урыс каналыр судым иратащ. Психологхэр къэуващ 2х2 каналым къигъэлъагъуэ мультфильмхэм сабий ебгъэплъ мыхъуну, укIытэ ямыщIэжу игъасэу къалъытэу. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, сабий къэгъэнауэ, нэхъ къэжэпхъахэри а каналым щыхъумэн хуейщ. Ди гъащIэм сабийр гъуэгу пэжым тезышу хэтыр куэд мэхъу. Ауэ абы къикIыркъым, дэтхэнэм пхущыхъумэн, жытIэу дакIэлъыплъурэ насыпыншэ тщIыну хуитыныгъэ диIэу. Къалэну щыIэм япэ итыр сабийм и узыншагъэр хъумэнымрэ гъэсэныгъэ тэмэм етынымрэщ. АбыкIэ зэран хъууэ къэувхэм щыщу телевизорымрэ компьютерымрэ уна-фэ зытумыщIыхьыфыххэну щыткъым. Къэхъур сыт? Сабийми фIэфIу, балигъми ар абы зэрыфIэфIыр имыжагъуэу таурыхъ кIэншэу къагъэлъагъуэм бгъэдагъэтIысхьэри, зыр абы хохьэж, адрейм пэрыуэ имыIэу и унагъуэ Iуэху ещIэ, хэбгъэзыхьмэ, сабийр телевизорым къызэрыпэрымыкIынур хьэкъыу пхыкIауэ, и закъуэу къыщIинэу, Iуэху здиIэм кIуэфынущ. Зи гугъу тщIы сабий узыфэщIэр зыпкърытыр адыгэ сабийм я закъуэкъым, дэнэкIи щызэлъэщIыса насыпыншагъэщ. Лъэпкъ къэскIэ зихъумэжыну щIэхъуэпсын, хущIэкъун хуейщи, адыгэ лъэпкъым, ди бзэм, ди хабзэм, ди нэмысым, зэхэтыкIэ, зэхущытыкIэ къыддэгъуэгурыкIуэм кIэ езытыфыну къару шынагъуэщ къытщIэIуари, дызыIуува IэнатIэр хэмытIасэу зыгурыдгъаIуэрэ дыщIэпсэу ди сабийхэм драгъусэмэ, псэлъэгъу дахуэхъумэ нэхъыфIщ. Адыгэ таурыхъхэм, сабийхэм папщIэ ятха хъыбар цIыкIухэм, усэхэм дакъыхуеджэурэ, деуэршэрылIэурэ адыгэбзэм и IэфIагъыр зыхедгъэщIэфын хуейщ, гупсысэ яIэрэ ар зэгъэпэщауэ къызэраIуэтэн псалъэр яхурикъуу зедгъэужьыныр ди къалэн нэхъыщхьэщ. Зэраныгъэ къишэн къэгъэнауэ, я псэр нэхъ къулей ищIынущ нэгъуэщI лъэпкъхэм я таурыхъ къыхэщыпыкIахэми дакъыхуеджэмэ. Ар зи пщэ дэлъри зыхузэфIэкIынури сабийр къызэрыхъуа унагъуэм щIэс нэхъыжьхэр аращ — адэ-анэр, адэшхуэ-анэшхуэр. Абыхэм чэнджэщкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъупхъэщ психологхэр, гъэсакIуэхэр, егъэджакIуэхэр. Сыт хуэдэ Iуэхуми ехъулIэныгъэ ущыщиIэр узэкъуэтмэщ, узэакъылэгъумэщ, узэдэIуэжмэщ. Сабийхэм мафIэр фIыуэ ялъагъу, ауэ хэдгъэIэбэркъым, мафIэдз яIэрыдгъэхьэркъым. Псыр яфIэфIщ куэдым, ауэ куум хэдгъэхьэнукъым. Зы адэ-анэ щыIэкъым и сабийр, лъаIуэ пэтми, кIыхьлIыхьу уэсым хэту игъэджэгуну. Сыт-тIэ таурыхъым, фIэфIщ жаIэу, кIэншэу щIыбгъэдагъэсыр? Зы щхьэусыгъуэщ иIэр: зэрыдихьэхынур ящIэу, телевизорым «кIэрапхэри», адэ-анэр щхьэхуит мэхъу, я Iуэху ныкъуэ хъуркъым, сабийми и упщIэ мыухыжхэмкIэ игъэбампIэркъым. Адыгэр дымащIэ тIэкIущ. Сабий къэс дытегужьеикIауэ адыгэ дывгъэщI. НэгъуэщIыбзэхэри ящIэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм я дунейми щыгъуазэу, ауэ зэ уадыгэныр куэд зэриуасэр тщымыгъупщэу. ХЬЭЦIЫКIУ Рае.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101504.txt" }
Пхъэхуей 300 хасэ «Мэртэзей» жыг хадэр ящIын зэрыщIадзэрэ илъэсищ хъуами, ирагъэфIакIуэ зэпытщ. Джылахъстэнейдэсхэм фIыуэ ялъэгъуа зыгъэпсэхупIэ паркым иджыри куэд иращIэну я мурадщ. Псалъэм папщIэ, аргуэру зы лъэс лъагъуэм плиткэ екIу тралъхьэу тетIысхьэпIэхэр трагъэувэну траухуащ. А лъагъуэм и бгъуитIыр удз гъэгъахэмрэ жыгыщIэ цIыкIухэмкIэ ягъэдэхэнущ. Сабийхэм джэгупIэ щхьэхуэ хуащIынуи къыщыгъэлъэгъуащ проектым. Тэрч къалэ администрацэм и унафэ щыIэщ паркым ит жыгыжьхэмрэ хэгъукIахэмрэ ираупщIыкIыу жыгыщIэхэр хасэну. ЗэрыжаIэмкIэ, мы бжьыхьэм зыгъэпсэхупIэ паркым пхъэхуей жыгыщIэ цIыкIуу 300 щагъэтIысынущ. Зи гугъу ящIа Iуэхухэр дяпэ мазитIкIэ яухыну я мурадщ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101507.txt" }
Насыпщ Iулыдж къызэрыпхуащIыр зыдэпщIэжу дунейм утетыныр… Лъэпкъым хуищIэр Iуэхутхьэбзэу къыщымыхъуу хьэкъ зыщызыщIыж цIыхур лIыфIщ. КъыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэхэм зэгуэр абдеж блэкIыр игъэгуфIэнщ жиIэу жыг хэзысэр лIыфIщ. Сеущиемэ, акъыл къыхихынщи, нэгъуэщIым ещхьэпэжынщ жызыIэр лIыфIщ. СыкъызыхэкIа лъэпкъым гъащIэ гъуэмылэ хуэхъунщ жиIэу и пщэдейрей махуэхэм щапхъэ хъун жылэ IуэхущIафэшхуэхэр, къытегуплIэ хьэлъэхэм емылъытауэ, зэфIэзыхыфыр лIыфIщ. УсакIуэ-джэгуакIуэ цIэрыIуэм и псалъэкIэ жыпIэмэ, лIыфI нэщэнэхэр мащIэкъым, куэду къыпщызыгъэхъу и фэмкIэ къызэгъэдзэкIын хуейуэ ара къудейщ. Мы тхыгъэр зытеухуар лIыфIщ, адыгэжьхэм я жыIауэ, нэгъэсауэ жылэлIщ. Абы и цIэр адыгэ тхыдэм дыщэпскIэ езы дыдэм и IуэхущIафэхэмкIэ хитхэжащ. И гугъу ящIауэ дахэкIэ темыпсэлъыхьа къэгъуэтыгъуейщ. АтIэ, насыпкъэ, щIы хъурейм щикъухьа адыгэм Iулыдж къызэрыпхуищIыр зыдэпщIэжу дунейм утетыныр? Адыгэ нанэхэм зы псалъэ дахэ жаIэ: апхуэдэм Тхьэр етащ! ЦIыхур зришалIэу зы гуращэмрэ зы гупсысэмрэ хуэзышэ пашэр лъэпкъым къыщыхэкIыр зэзэмызэ дыдэщ. ЛIэщIыгъуэм къриубыдэу зэ е тIэу къэхъуу аращ. Адыгэм и насып кърихьэкIри, Джарым Аслъэн къыхэкIащ. Хэкурыс адыгэхэми хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми абы и цIэр IуэхугъуитIым епхауэ къраIуэ: ар, япэрауэ, Адыгэ Республикэм и япэ Президенту щытащ, етIуанэрауэ, зауэ мафIэсым и курыкупсым хиубыда ди лъэпкъэгъухэр, нобэ махуэхьэблэдэс адыгэкIэ дызэджэхэр, Косовэ щIыналъэм къришыжу хэкум къэзышэжар аращ. ПфIэкIуэдар къыщыплъыхъуэжым деж псэм телъ гугъуехьым ещхьу екIуэкIащ Косовэ зауэзэрылIым хиубыда ди лъэпкъэгъухэр къызэрыхашыжынум пэплъэу дунейм адыгэу тетым абы щыгъуэ ягъэкIуа зэманыр. Дуней лъагъукIэкIи, Iуэху бгъэдыхьэкIэкIи, жылэ гупсысэкIи зэмыщхь цIыхухэр а Iуэхугъуэм апхуэдизкIэ зэкъуигъэувати, Косовэ щыпсэу адыгэхэр абы къимышыжыным кърикIуэнур зыхуэдэр зыхэпщIэрт. Абы щыгъуэщ гурыщIэ къызэщIэплъар техуэрабгъу дыдэу зыгъэIэсэжа Джарым Аслъэн лIыфI цIэр къыщилэжьар. Абы и фIыгъэщ лъэпкъ щIэжыр нэхъ иныжу къызэрызэщIэрыуар. Мы махуэхэм Джарым Аслъэн и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирикъуащ. Адыгэм цIыхум жьантIэр щыхуигъэфащэ ныбжь дахэщ. Къэрал къулыкъумрэ щIэныгъэмрэ екIуу зэдэзыхьа Джарым Аслъэн Адыгэ Республикэм и Президент IэнатIэр къыхуамыгъэфащэ щIыкIэ, уриплъэжмэ лей мыхъуну гъуэгуанэ дахэ къикIуащ. Къэрал икIи жылагъуэ лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным хуэгъэпса и академием, ИнформатизацэмкIэ Дунейпсо академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием я академик, Дунейпсо зэхущытыкIэхэмкIэ къэрал институту Мэзкуу дэтым (МГИМО-м), Адыгэ къэрал университетым щIыхь зиIэ я профессор Джарым Аслъэн Алий и къуэр 1939 гъэм Адыгэ Республикэм хыхьэ Еджэрыкъуей къуажэм къыщалъхуащ. КъызыхэкIар зи хьэщIэщыбжэр цIыхум хузэIуха, «я цIыхугъэр я пщIантIэкум къыщоудж» жыхуаIэ адыгэ унагъуэщ. И адэ Алийрэ и анэ Абрэджхэ япхъу ЦуркIэрэ пщIэ къыхуащIу, зы Iуэху гъунэ изолъри, схузэхэвублэну сривылъэIуакIуэщ жаIэрэ чэнджэщакIуэ къыхуэкIуэу щытащ. ЗэгурыIуэ зэрылъ унагъуэм гуащIэдэкI хьэлэлыр сытми ипэ ирагъэщырт, пэжымрэ захуагъэмрэ ищхьэкIэ зыри ягъакIуэртэкъым. Алийрэ ЦуркIэрэ яхузэфIэкIащ быныр адыгагъэм и щапхъэхэм щIапIыкIын, цIыхугъэм и фащэри щатIэгъэн. ЗыхэпсэукI гъащIэм щIэныгъэ щыуимыIэмэ, щыпкIунур зэрымащIэр пасэу къызыгурыIуа Алий щIалэхэр иригъэджащ, дэтхэнэми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яригъэгъуэтащ. Аслъэн адэ-анэм зыхуаущия псалъэхэм хуэпэжщ — сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, абы цIыхум и хьэкъыр сытми ипэ иригъэщащ, лъэпкъым и пащхьэ щихь пщэдэкIыжыр зэи зыщигъэгъупщакъым. Джарымым и Iуэху щIэкIэм хэлъ зэгъэзахуэм имытхьэкъуа щыIэкъым — псалъэр хьэулейуэ зыутIыпщу иужькIэ кIэлъыIэбэжхэм ар ящыщкъым. Джарымым и псалъэр сыт щыгъуи Iуэху къиIэтам и фащэщ, купщIафIэщ, кIуэрабгъухэр нахуэ къэзыщI гупсысэ ящIэлъщ. Аслъэн щэн зэпIэзэрыт зэриIэм, цIыкIури инри и зэхуэдэу зэрыщытым, къызыхэкIарэ парт унэтIыныгъэкIэ цIыхур зэрызэхимыдзым акъыл жанрэ набдзэгубдзаплъэ защIэу гупыфI къришэлIащ, унафэ зыхуищI щIыналъэм зегъэужьынымкIэ, щыпсэу цIыхур зыгъэгумэщI-зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр зэфIэхынымкIэ гууз-лыуз яIэу. Агроном-жылапхъэгъэкIыу къежьэри, къэрал къулыкъум епхауэ зы IэнатIэ къигъэнакъым Джарымыр зыпэрымыта. ЛэжьыгъэкIэ зэрыпсэемыблэжыр къалъытэри, КПСС-м и Адыгэ обкомым и япэ секретарым и IэнатIэр зыIыгъ Джарымыр 1990 гъэм Адыгэ автоном областым и цIыхубэ депутатхэм я Советым и Iэтащхьэу хахауэ щытащ. Мис абдеж къыщожьэ иджырей Адыгэ Республикэм и тхыдэр. Жыжьэ плъэ, зэхъуэкIыныгъэхэм я акъужь къыкъуэуам пхыплъыфа щIалэм щIэх къыгурыIуащ щыпсэу щIыналъэм и къэкIуэнур адыгэм езым зэрелъытар, абы и гупсысэр Урысейм хэгъэгу щхьэхуэу хэт щIыналъэ къызэгъэпэщыным хуэшэн зэрыхуейр. Дауи, апхуэдэ еплъыкIэр цIыхум къыщIыбдащтэн щхьэусыгъуэ щыIэн хуейт. А щхьэусыгъуэхэр Джарымми тегъэщIапIэ ищIыфащ, абы теухуа политикэри дахэу ишэщIыфащ. Псом япэрауэ, Адыгэ автоном областым и бюджетыр зэрыщыту Краснодар щIыналъэм къикIырт, ар къазэрылъэIэсри «къыдэхуа» бгъэдыхьэкIэм тетут. Экономикэмрэ жылагъуэ псэуныгъэмкIэ куэдкIэ ипэ ища Краснодар щIыналъэм жимыIэ щхьэкIэ, Адыгэ автоном областыр «илъэфу» арат, зыузэщIыпIи зыукъуэдиипIи иримыту. ЕтIуанэрауэ, къыщыхъуа щIыналъэм исыж пэтми, къэзыухъуреихь лъэпкъхэр куэдкIэ къебэкI, абыхэм мащIэ-мащIэурэ адыгэр хэшыпсыхьыжу зэрыхуежьам къызэрыхэкIын Iэмалхэр къэлъыхъуэн хуейт. Мис ахэр псори къилъытэ-ри, Джарым Аслъэн цIыхубэ депутатхэм я пащхьэ кърилъхьащ Краснодар щIыналъэм къыхэкIыу Республикэ щхьэхуэу заужьын зэрыхуей гупсысэр. Гугъукъым уи нэгу къыщIэбгъэхьэну Республикэ хъуа щIыналъэм и жылагъуэ-экономикэ щытыкIэр зыхуэдэу щытар — ар икIэщыпIэкIэ къэIэтын хуейт. Мыбдеж Джарымым зэрихьа Iущыгъэр нобэми куэдым ягъэщIагъуэ, социологие щIэныгъэми куэдрэ къихутэн Iуэхугъуэу щытщ. Джарымыр областыр къызыхиша Краснодар щIыналъэм хуиIэ пыщIэныгъэхэр пичакъым, атIэ къэунэхуагъащIэ республикэм щыщыIэ щытыкIэр зэпIэзэрыт щIын щхьэкIэ, абы и экономикэ-жылагъуэ лъэкIыныгъэр къигъэсэбэпащ, егъэджэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ щыхипщащ. Арыххэуи, зыхэхуа щыIэкIэщIэр цIыхубэм хьэлъэ ящыхъуакъым, щIэх есащ. Адыгэ Республикэр ноби Джарымым пхиша гъуэгум тетщ, Краснодар щIыналъэм хуиIэ пыщIэныгъэхэр нэхъри игъэбыдэу. Адыгэ Республикэр зэфIэува нэужь, Джарымым къыхилъхьэу япэу зэфIиха Iуэхугъуэхэм ящыщщ хамэщI ис ди лъэпкъэгъухэм Хэкум къагъэзэжынымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун комитет къызэрызэригъэпэщар. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр Хэкум къешэлIэжыным зи лэжьыгъэр теухуа комитетым хузэфIэкIащ УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэр хэту Къэзыгъэзэжхэм (репатриантхэм) ятеухуауэ Хабзэр зэхагъэувэн, ар Адыгэм и Къэрал Советым — Хасэм кърагъэщтэн. ЩIэгъэхуэбжьауэ екIуэкIа Iуэхур игъуэм зэрызэфIэкIам и фIыгъэкIэ, зауэм зэщIищта Косовэ щIыналъэм кърашыжри, Адыгэ Республикэм, щэ бжыгъэкIэ ди лъэпкъэгъу репатриантхэр къихьэжауэ щытащ. Президент IэнатIэм щытета пIалъэм къриубыдэу, Джарым Аслъэн щIэгъэкъуэн ин яхуэхъуащ Куржым зауэ зрищIылIа абхъазхэм. Джарымым иригъэкIуэкIа мамырщIэкъу политикэм и фIыгъэкIэ, «Кавказым мамырыгъэр зэрыщигъэбыдэм папщIэ» дунейпсо саугъэтыр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Апхуэдэу, Адыгэ Республикэм и япэ Президент Джарым Аслъэн и жэрдэмрэ и акъылрэ хэлъщ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 130-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу, 1994 гъэм накъыгъэм и 21-м, УФ-м и Президент Ельцин Борис адыгэхэм закъыхуигъазэу ищIауэ щыта Джэпсалъэм. Абы къыхэщауэ щытащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм ирагъэкIуэкIа зауэр щхьэхуитщIыжакIуэ зауэу зэрыщытар, пащтыхьыдзэм лей зэрызэрихьар. Кавказым щекIуэкI жылагъуэ-политикэ гъащIэм хэлъ зэщымыщхъухэр а псалъэхэм яужь нэхъ сабырыжауэ щытащ. 1997 гъэм Джарым Аслъэн Адыгэ Республикэм и унафэщIу етIуанэу хахыжащ. Лъэ быдэкIэ ува Адыгэ Республикэм иджы Iэмал игъуэтащ и гупэр егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ хуигъэзэн. Джарымыр щытета етIуанэ пIалъэр егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр институтыр дуней псом къыщалъытэ къэрал университет щыхъуар, лъэпкъ щIэныгъэхэр щрагъэдж къудамэр щхьэхуэу къыхагъэкIыу егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ хуэгъэпса центр щащIар. Джарым Аслъэн Президент IэнатIэм щыпэрыта илъэсхэрщ «Ислъэмеймрэ» «Налмэсымрэ» зыщаужьар, ехъулIэныгъэшхуэхэри щызыIэрагъэхьар. Зэчий зыхэлъ цIыхур лъэныкъуэ куэдкIэ зэчиифIэщ, жаIэ. Джарымри абыхэм ящыщщ. Иджыри студенту спортым дихьэхри, ехъулIэныгъэхэр зыIэригъэхьауэ щытащ. Ар СССР-м самбэмкIэ спортым и мастерщ, Урысейм дзюдомкIэ и чемпионщ, СССР-м пашагъэр къыщыхьыным и призёр хъуащ. Адыгэ Республикэм и япэ Президентыр а IэнатIэм пэрыкIыжа нэужь, Аслъэн Болгарием и Варнэ къалэм УФ-м и лIыкIуэу ягъэкIуауэ щытащ. Абдежми Джарымым и гуащIэ ин хилъхьащ лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэфIэува къэрал зэхущытыкIэхэр хъумэным, Урысеймрэ Болгариемрэ я зэкъуэшыныгъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ гъэбыдэным. Хэкум гулъытэншэ ищIакъым Джарым Аслъэн къэралымрэ хэгъэгумрэ заужьыным хуэунэтIауэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр. Абы къыхуагъэфэщащ «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и IV нагъыщэр, «Зэныбжьэгъугъэ», «ЩIыхьым и дамыгъэ», «ЩIыхьымрэ щытхъумрэ» орденхэр, «Адыгэ Республикэм и ЩIыхь» медалыр. Зи цIыхугъэм зиIэт зэпыту зи гъащIэр нобэм къэзыхьэса адыгэлIым хужыпIэ хъунур мащIэкъым. Ауэ жаIэну псом ящхьэщ лъэпкъым урибын щыпкъэу укъызэрилъытэр, уи цIэр щапхъэу къызэрихьыр. Ди нэхъыжьыфIым къыхужаIэ псалъэхэр и гуащIэрэ и лъэкIкIэ къилэжьащи, узыншэу иджыри ди япэ итыну ди гуапэщ. ТАБЫЩ Мурат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101510.txt" }
КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ еджакIуэхэм ехъуэхъуащ «Зыгъэпсэхугъуэ ин» зэпеуэм зэрыщытекIуамкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым фIыщIэ щахуищIащ «а текIуэныгъэхэр къахьыным зи фIыщIэшхуэ хэлъхэм» — ныбжьыщIэхэм я адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ. «Си гум къыбгъэдэкIыу ди еджакIуэ цIыкIухэм сохъуэхъу «Зыгъэпсэхугъуэ ин» Урысейпсо зэпе- уэм зэрыщытекIуамкIэ. Икъу- кIэ узэрыгушхуэн ныбжьыщIэхэщ!» — щыжеIэ КIуэкIуэ Казбек текIуахэм защыхуигъазэ тхыгъэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ, класс нэхъыжьхэм щIэс ныбжьыщIищым бжьыпэр щаубдыащ «Зыгъэпсэхугъуэ ин» Урысейпсо зэхьэзэхуэм — ахэр Налшык къалэ округым щыIэ еханэ курыт еджапIэм щIэс Бечеловэ Айданэ, Налшык дэт курыт школ №5-м щыщ Гуэнокъуэ Амир, «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием и еджакIуэ Жабоев Ахъмэт сымэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ еджакIуипщI нэсат Урысейпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэм — Налшык, Бахъсэн къалэ округхэм, Шэджэм, Аруан, Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэхэм щылажьэ курыт еджапIэхэм я лIыкIуэу. «Урысейр псоми зэхуэдэ Iэмалхэр щаIэ къэралщ» президент платформэм и проектхэм ящыщщ 9 — 11-нэ классхэм щIэсхэм яхуэгъэпса, «Зыгъэпсэхугъуэ ин» зыфIащар. Абы и кIэух зэпеуэр щекIуэкIащ «Артек» дунейпсо сабий лагерым. УнэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ абы текIуэныгъэр къыщахьащ къэрал псом щыщ ныбжьыщIэ 600-м. НыбжьыщIэ 300-м, абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэри яхэту, сом мелуан зырыз иратащ я щIэныгъэм адэкIи хагъэхъуэным трагъэкIуэдэну. ТекIуахэм ехъуэхъуащ Урысейм и Президент Путин Владимир: «Фэ щIыхь пылъу къэфкIуащ лъагапIэм фыхуэзыша гъуэгур икIи шэч къытесхьэркъым фщыщ дэтхэнэми хьэкъыу зэрыпхыкIар «Зыгъэпсэхугъуэ иныр» зэпеуэ къудейуэ зэрыщымытыр: ар къэралым и ныбжьыщIэ минищэхэр зэкъуэзыгъэувэ, зэакъылэгъухэм я зэгухьэныгъэщ, абы дэтхэнэми пщIэ щыхуащI, нэхъыбэ зэрахузэфIэкIынур я фIэщ щащIыф, гъащIэм я гъуэгу къыщагъуэтыжынымкIэ щадоIэпыкъу». КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101513.txt" }
Чемпионыр къыхагъащIэ Щхьэзакъуэ зэзауэхэр щегъэкIуэкIыным хуэщIауэ Къэзан дэт «Ак Барс» уардэунэм щекIуэкIащ бгырыпх бэнэкIэмкIэ XIX дунейпсо чемпионат. Саугъэтхэм щIэбэныну Тэтэрстаным и къалащхьэм къыщызэхуэсат къэрал 36-м я спортсмен нэхъ лъэщхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым бгырыпх бэнэкIэмкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Гажонов Юрий хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, республикэм и бэнакIуэхэм чемпионатым медалитI къыщахьащ. Зи хьэлъагъыр килограмми 100-м щIигъухэм я гупым щригъэкIуэкIа пэщIэдзэ зэIущIищым шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэхэр къыщызыхьа спортсмен Мысост Мырзэбэч кIэух зэпэщIэтыныгъэм зымащIэкIэ къыщефIэкIащ Къэзахъстаным и лIыкIуэр икIи ды-жьын медалыр къылъысащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2019 гъэм апхуэдэ зэхьэзэхуэ дыдэу Къэзан щекIуэкIам Мысостыр чемпион щыхъуауэ щытащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 82-м нэблагъэхэм я зэпэщIэтыныгъэм домбеякъ медалыр къыщихьащ Бэрэгъун Астемыр. Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Чочаев Елдаррэ Умар Залымрэ. КЪЭХЪУН Бэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101519.txt" }
ЦIыкIураш Дыщэ кIанэ Еуэщ-еIэри, зы Бзу цIыкIу гуэрым, пщым и пхъэнкIий идзыпIэм щыулъэпхъащэм-щыулъэпхъащэурэ, зы дыщэ кIанэ цIыкIу къигъуэтащ. Бзу цIыкIум ды-щэ кIанэр къищтэ-ри, лъэтэжащ икIи пщым и бжэIупэм Iут жыгым къытетIысхьащи, мэбзэрабзэ, мыр жиIэурэ: Пщым имыIэ сэ сиIэ, Гуащэм имыIэ сэ сиIэ! Ар пщыжьым зэхихри, унэIутхэр щIигъэкIащ: — А Бзуужь цIыкIум сэ симыIэу иIэр зищIысыр фыкIуи къысхуэфщIэ! — жиIэри. УнэIутхэр щIэжщ, Бзу цIыкIум иIыгъыр зрагъащIэри, къагъэзэжащ: — Уэ, зиусхьэн, уимыIэу абы иIэр дыщэ кIанэщ. Ар жраIэжа къудейуэ Бзу цIыкIур аргуэру къэджащ: Пщым имыIэ сэ сиIэ! Гуащэм имыIэ сэ сиIэ! — ФыкIуи къытефх а Iейм и дыщэ кIанэр! — унафэ ищIащ пщым. УнэIутхэр жэри Бзур къаубыдащ, дыщэ кIанэр къытрахри, пщым къыхуахьащ. АрщхьэкIэ Бзу цIыкIу гуэрыр жыгым къытетIысхьэжри, къаджэу щIидзэжащ: Къызэфыгъуэри страха, Къызэижри страха! — ФыкIуи ефтыж! — унафэ ищIащ пщым. Дыщэ кIанэр яхьри иратыжащ. Згъэшынэри, къытесхыжа, ЗгъэкIэцIри къытесхыжа! Шынэртэкъым Бзу цIыкIур. ФыкIуи, къэвубы-ди фIэвгъэж! — уна-фэ ищIащ аргуэру пщым. Бзу цIыкIур унэIутхэм къаубыдри фIагъэжащ. ЩыфIагъэжым мыр жиIэрт Бзу цIыкIум: Си пэ лъы къож, Си пэ лъы къож! — Мыдэ схуэффыщIи схуэвгъажьэ а Iейр! — унафэ ищIащ пщым. УнэIутхэм щафыщIым Бзу цIыкIум жиIэрт: Бацэ сопхъ, Цы сопхъэх! Бацэ сопхъ, Цы сопхъэх! ФыщIын яухри, дзасэм паIуауэ щагъажьэм, Бзу цIыкIум жиIэрт: Си щIыб мафIэ изогъэу, Си щIыб мафIэ изогъэу! Ягъэжьауэ пщым щишхым, Бзу цIыкIум жиIэрт: Пщым и ныбэм гъуэ щызощI, Пщым и ныбэм гъуэ щызощI! Бзу цIыкIур ишхри, пщыр хущхьащ. Пщыр щыхущхьэм, Бзу цIыкIур къыжьэдэлъэтыжащ, дыщэ кIанэр къипхъуэтэжри, жыгыщхьэм итIысхьэжащ. Жыгыщхьэм итIысхьэжауэ, пщым къыщIонакIэ Бзу цIыкIур: Пщым имыIэ сэ сиIэ, Пщым имыIэ сэ сиIэ! Жаным Борис. Нартхэ я гъубжэ щIыкIэр Нартхэм мэш ящIэмэ, къызэрахыжын яIэтэкъым, мэшым и ныкъуэр къафыщIыжмэ, и ныкъуэр яфIыхэкIуэдэжырт. Лъэпщ гупсысэщ-гупсысэри, къыхуэгупсыса щыIэкъым. Тхьэгъэлэдж зыгуэр къытхуигупсысынщ, — жари Тхьэгъэлэдж деж чэнджэщакIуэ кIуащ нартхэр. — Ар си акъыл зыхэмылъщ, — къажриIащ Тхьэгъэлэдж. — Уэрсэрыжь къафшэ, Уэрсэрыжь дечэнджэщынщ. Уэрсэрыжь ирагъэджащ: — Мэшыр къызэрытхынумкIэ дыночэнджэщынущ, — жари. Уэрсэрыжь къакIуэри, бжэщхьэIум къыщебакъуэм лъэпэрэпащ. — Тхьэгъэлэдж и унэ сыщIоджагуэ, — жиIащ Уэрсэрыжь щылъэпэрапэм. Зы жьэгъу яхэсти, Уэрсэрыжь къыщIэнэкIащ: — УщIэджагуэркъым, ущIоджалэ, — жери. Ар и щхьэм иригъажэри, Уэрсэрыжь яхэкIыжащ — бжэщхьэIум къыщхьэдэхакъым. — И ужь фиуви фыкIэлъыкIуэ: Уэрсэрыжь щхьэхуэпсалъэщ, Iуэрбжэрщ, и ужь фызэритыр зыкъевмыгъащIэ, фыкIэщIэдэIухь, — жари Уэрсэрыжь и ужь щIалэ ираутIыпщхьащ. Уэрсэрыжь и щхьэ хуэпсэлъэжурэ мэкIуэж: — Сыт хэлъ абы, нарт делэхэ: адакъэкIэ хуэдэу къэгъэш, къаз шырыдзэ хуэдэу дэпкIыкIыжи, аракъэ мэш къызэрыпхынур… Уэрсэрыжь и ужь ита щIалэр нартхэм яхыхьэжащ. — Сыт зэхэпха? — еупщIащ щIалэм. — «Сыт хэлъ, — жиIащ, абы: адакъэкIэ хуэдэу къэгъэши, къаз шырыдзэ хуэдэу дэпкIыкIыж». Лъэпщ и кIыщым кIуащ нартхэр: — АдакъэкIэ хуэдэу къэгъэши, къаз шырыдзэ хуэдэу дэпкIыкIыж, — жари. Лъэпщ гъущI тхьэмпэ игъэплъащ, хихуурэ адакъэкIэ хуэдэу къигъэшащ, къаз шырыдзэ хуэдэу дипкIыкIыжри, нартхэм къаритащ: — Фрихэнумэ, ар гъубжэщ, — жери. ХъумпIэцIэджхэр ЦIыкIухэ, хъумпIэцIэджым теухуауэ гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ къэдвгъащIэ, дигу идвгъэубыдэ! ХъумпIэцIэдж гуащэ яхэтщ ХъумпIэцIэджхэм псэупIэ ящI щIыр, мывэ лъабжьэхэр, пхъэ зэхуакухэр. Зы хъумпIэцIэджыгъуэм хъумпIэцIэдж мелуан хуэдиз щыпсэункIэ хъунущ. Абыхэм яхэтщ зэи гъуэр зымыбгынэ хъумпIэцIэдж гуащэ. ХъумпIэцIэдж гуащэр илъэс 30 хуэдизкIэ псэуфынущ, мыдрейхэм я пIалъэр илъэсищщ. КъарууфIэхэщ ЦIыкIу щхьэкIэ хъумпIэцIэджхэр егъэлеяуэ къарууфIэхэщ — езыхэм нэхърэ хуэдитхукIэ нэхъ хьэлъэ къаIэтыф, гъуэм яхьыф. ЛэжьакIуэшхуэхэщ, щхьэх ящIэркъым. ГъэщIэгъуэнщ: хъумпIэцIэджхэми IэщIагъэ яIэщ — зэхуэгуэшауэ щхьэж и къалэн егъэзащIэ. Хэт зигу къыдэмыжым йоIэзэ, хэт ухуакIуэщ, хэт шхын кърехьэлIэ, хэт псэупIэр ехъумэ. ЗэрызэрыщIэ бзэ яIэщ Зы хъумпIэцIэджыгъуэм щыпсэухэм езым я мэ яIэжщ — загъэгъуащэркъым, хами зыхагъэхьэркъым. Жыжьэ IукIами, тыншу къыщIагъэзэжыфыр аращ. ХъумпIэцIэджхэр тэрмэшкIэ зэрощIэхэр: я пащIэр, е я Iэ-я лъэр зэжьэхагъауэ. ХъумпIэцIэджыр бгъэпIейтея нэужь, пхэ лъакъуэкIэ мэуври, и ныбэр кърегъэпщ — абы зэрыгузавэр къокI. ЛIэужьыгъуэ куэд мэхъу Дунейм хъумпIэцIэдж лIэужьыгъуэу мин 13 хуэдиз тетщ. Абыхэм ящыщу лIэужьыгъуэ 300-м Урысейм ущрохьэлIэ. ЗэфIэкI телъыджэхэр яIэщ Нэхъ хьэпщхупщ губзыгъэхэм хабжэ: и щхьэ куцIыр клеткэ 250000-у зэхэтщ. Махуэ бжыгъэкIэ псы щIагъым щыпсэуфынущ, Iэпсэу-лъэпсэууи къыхэкIыжынущ. Зэрысэбэпыр ХъумпIэцIэджхэр икIи сэбэпщ: щIыр ягъэпшэр. ХъумпIэцIэдж куэду ущрихьэлIэ щIыпIэм гъавэр бэв щохъу. Зэрыбжэ усэ — Яз! — Языр шэщ. — ЯтI! — ЯтIыр хьэсэщ. — Ящ! — Ящыр мэлщ. — ЯплI! — Жэмыр быдзиплIщ. — Ятху! — Iэр Iэпхъуамбитхущ. — Ях! — Яхыр мэшщ. — Ябл! — Яблэр бжьын благъэщ. — Яй! — Яир блынщ. — Ябгъу! — Яубгъур алэрыбгъущ. — ЯпщI! — ЯпщIыр цыщ. Iэгъэбэгум и жэуап — Iэгъэбэгуу ПыIэжьынэ, Хуабэвэхым, ПыIэ хуабэ Пщхьэрыкъуауэ, ЗыбгъэлIыфIу щхьэ ущыт? Уи щхьэ цIыкIум Жьы щIебгъэхуу, ЩхьэпцIэу хъуркъэ Губгъуэм уит?! — УмыщIэжу, ШынэхъыщIэ, КъызжепIащ Си жагъуэ хъун. И жэуапыр Мырщ уи упщIэм: ЛIым хуейщ пыIэ Щхьэрыгъын! АфIэунэ Лиуан. Чыху-чыху, мафIэгу ЦIыкIураш сымэ зы IэпкълъэпкъзэщIэгъэкI фэдгъэщIэнщ: Фи Iэдакъэр къэгъэшауэ, Iэпхъуамбэхэр щIэгъэшауэ къэфкIухь. КъыщыфкIухькIи, фи лъакъуэхэр къэвмыгъэш. IитIыр гъуэрыгъуэурэ зэблэфхыурэ щIэвупскIэ. Iэ зэблэхыгъуэ къэс жыфIэ: «чыху-чыху, мафIэгу» (мафIэгум зыпыдощIыж). Мы IэпкълъэпкъзэщIэгъэкIым нэхъыщхьэу хэлъыр тхьэмбылыр фIыуэ игъэлэжьэнырщ: пэкIэ щызу жьы зыжьэдэфши, «чыху-чыху» щыжыфIэм ирихьэлIэу жьыр къыжьэдевгъэхуж — тхьэмбылыр къэвунэщI. ИкIи доджэгу, узыншагъэми догугъу! Гуащэ хьэпшыпхэр ЩIэщыгъуэщ Аккизовэ Имарэ и IэрыкIхэр — гуащэ хьэпшыпхэр. Гуащэхэр, псэущхьэхэр, бзухэр щищIкIэ къегъэсэбэп цы, фэ, щэкI, ятIагъуэ, нэгъуэщIхэри. «Дэтхэнэ си гуащэми езым и хьэл иIэжщ», — жеIэ Имарэ. ЗэрыжиIэмкIэ, хьэпшыпхэр зытрищIыкIын тхыпкъэ (эскиз) игъэхьэзырыркъым. Езыр-езыру я щIыкIэ ягъуэтыжмэ нэхъ къещтэ. Хьэлу зыхалъхьэнури абы елъытащ. Гуащэ хьэпшып- хэр хэт нэжэгужэщ, хэт зигъэгусауэ фэ тетщ, хэт дырийпсырийуэ къыпщохъу, нэщхъей нэкIухэри яхэтщ. Адыгэ фащэкIэ хуэпа гуащэхэри иIэщ IэпщIэлъапщIэм. Фащэм Iэмал имыIэу кIэрылъын хуей пкъыгъуэ гуэрхэр якIэрилъхьэну къалэн зыщищIыркъым абы. Мыхэр нэхъ къызэрыгуэкIщ — аращ я щIэщыгъуагъри. Гуащэ хьэпшыпхэр щищIкIэ ятригъэкIуадэ зэманыр зэтехуэркъым. И гукъыдэжыр, хэбгъэзыхьмэ, езы гуащэхэм я гукъыдэжым щелъыта щыIэщ ар. Псалъэм папщIэ, илъэситI хъуауэ ныкъуэщIу щыт гуащэ иIэщ. Аккизовэ Имарэ и лэжьыгъэхэр инстаграм напэкIуэцIым къыщыгъэлъэгъуащ, щIэупщIэ яIэщ. Ахэр зыIэрыхьэ сабийхэр хуабжьу щогуфIыкI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101521.txt" }
«Адыгэ щэнхабзэ хышхуэр ди адэ щIэинщ» Псалъащхьэу къэтщта псалъэухар фIэщыгъэ хуэхъуащ дызэрыт илъэсым дунейм къытехьа тхылъым. Ар и IэдакъэщIэкIщ Тыр-кум къыщыхъуа, Мюнхен щыIэ Адыгэ Хасэм и къудамэм и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ лэжьа Къардэн Хьусний. ГъащIэ къэзыгъэщIа цIыхур зэрысабийрэ и нэгу щIэкIа дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжам щриплъэкIэ, сэтей къимыщIынкIэ Iэмал зимыIэ гупсысэхэр къытогуплIэ. Аращ Къардэн Хьусний и тхылъым гукъэкIыж къудей фIэпщыну ущIытемыгушхуэр. Тхыгъэр япэ щхьэм къызэрыбгъэдэкIым къалэмыр зыIыгъым уэршэрэгъу ухуещI. НыбжьыщIэхэр зыщIэгъэтэджыпхъэ дерсу тхьэкIумэм къоIуэ Хьусний и хабзэ зэпкърыхыкIэр. Абы и уасэр, шэч хэмылъу, инщ, сыту жыпIэмэ, напэкIуэцI 200-м нэблагъэ тхылъ IыгъыгъуафIэм щызэхуэхьэса хъуащ адыгэ щэнхабзэм и дауэдапщэ лъэныкъуэри лъэпкъым и цIыху хэтыкIэм щIэлъ мыхьэнэри. «ТыркубзэкIэ тхауэ адыгэбзэм къизгъэзэгъа «Адыгэ щэнхабзэ хышхуэр ди адэ щIэинщ» тхылъыр зытеухуар ди лъэпкъым Хэкум къы-здрихыу хамэ щIыпIэм щихъумэфа хабзэращ, — щетх пэублэм тхылъым тэрмэш хуэхъуа Емуз Баязыт. — Къардэн Хьусний зытепсэлъыхьыжыр адыгэхэр Уэсмэн пащтыхьыгъуэм къэкIуа нэужь, зэхъуэкIыныгъэ хамылъхьэу илъэс куэдкIэ ягъэзэщIа зэхэтыкIэ, IуэхузехьэкIэ, зэхущытыкIэхэрщ. Нэхъыбэу къыхэщыр Гёксун, Афшин-Джылахъстэней, Анзорей жылагъуэхэм щып-сэуа адыгэхэм я дуней тетыкIэращ». Гу лъытапхъэщ зэдзэкIакIуэм езыр икIуэту тха-кIуэр къытхуигъэкIуатэ пэтми, тхыгъэр Емузым и адыгэбзэ нэгъэсамкIэ шэрыуэу анэдэлъхубзэм къигъэзэгъа зэрыхъуам. КъалэцIэхэмрэ щIыпIэцIэхэмрэ Iуэхур щекIуэкIыр Хэкур зэрыармырар уи фIэщ ящIми, Хьусний къиIуэтэж хъыбархэм «тырку акцент» ящIэлъкъым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хамэм къиIуэтэжу уи нэгу къыщIэувэркъым. «Сэ сы-Хьуснийщ, Къардэнхэ сащыщщ. Си унагъуэцIэр Гёзташщ, — дыкъыщоджэ «Си сабиигъуэ, си къежьапIэ» Iыхьэм. — Уэсмэн пащтыхьыгъуэм (нобэрей Тыркум) къэIэпхъуа Къардэн Анзор срикъуэрылъхущ. АнзорейкIэ (ШыкIуртIакъей) зэджэ, тыркум щыIэ адыгэ къуажэм сыкъыщалъхуащ». Сыт зытепсэлъыхьыр къалэмым зи дзыхь езыгъэза тырку джылахъстэней тхакIуэр? Дауи, и Хэкур гум изымыгъэху хабзэрщ. Псалъащхьэхэм дриплъэмэ, тыншу къыдгуроIуэ ар: «Адыгэ хабзэм и къежьапIэр унагъуэращ», «Адыгэ щэнхабзэм щIалэгъуалэр зэрыхэтыр», «Адыгэхэм я унагъуэ щIыкIэр», «Адыгэхэр лъыхъу зэрыкIуэр», «Нысашэ джэгум и екIуэкIыкIэр», къинэмыщIхэр. Хьусний и тхылъыр зыгуэркIэ поджэж Хэкужьым къыщежьа дауэдапщэхэм хамэ щIыпIэм щагъуэта-щамыгъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр къызыхэщ, Тэгъулан Екъуб и тхыгъэхэм. Зэремыщхьыр Къардэныр зыгуэр къигупсысыным, и тхыгъэм щIэщыгъуагъ хилъхьэным емылIалIэу, итхыр гукъэкIыж къудейуэ зэрыщытырщ, и нэгу щIэкIам и щыхьэту езыр къызэрыувыжырщ. Аращ ар нэхъыбэу «мемуар» лIэужьыгъуэм щIыхуэкIуэр. Лъэпкъым зи псэр етауэ псэуа щIалэр, и чэзу къэсри, Адыгэ Хасэхэм гъуэгу щагъуэтыжа лъэхъэнэм хиубыдащ. Хьусний ябгъурытащ Хэкуми, Тыркуми, Европэми Адыгэ Хасэхэр щызэфIэзыгъэувэжахэм, иужькIэ къыхуагъэфащэри, Мюнхен щылажьэ ДАХ-м и къудамэм тхьэмадэ хуэхъуащ. Абы и фIыгъэкIэ тхылъеджэм и нэгу щIокI «адыгэ Iуэхум» Хэкуми хамэ щIыналъэхэми щича лъэбакъуэхэр. Илъэс зыбжанэ дэкIмэ, мыпхуэдэ тхылъхэр лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ зэфIэзыгъэувэжынухэм дыщэ плъыжьым ещхьу къалъыхъуэнущ. Ноби ар тIуащIэ-щащIэу гъэщIэгъуэн ещI и Iэмэпсы- мэр хамэбзэу зэрыщымытым. ГукъэкIыжхэмрэ адыгэ хабзэмрэ къадэкIуэу, зи гугъу тщIы тхылъым ихуащ адыгэ шхыныгъуэхэм лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ дауэдапщэхэм щагъэзащIэ мыхьэнэр. Апхуэдэхэм я щапхъэщ «Нэгэгъур адыгэ хабзэм къызэрыхыхьар», «Адыгэм я Iэнэ щысыкIэр», «Iэмал имыIэу ныш щIаукIыр» хуэдэ Iыхьэхэр. Къардэн Хьусний и тхылъым пэублэ дахэ хуащIащ тхылъ еджэн зи хьэл адыгэ псоми фIыуэ яцIыху Шэу-джэн Джэудэт, ХьэцIыку Рае, Къаныкъуэ Заринэ, Хъуажь Фахъри, Емуз Баязыт сы- мэ. МащIэу уагъэнэщхъей Хэкум имыс адыгэхэм я IэдакъэщIэкIхэм. Зы лъэныкъуэкIэ — дыгъэм зи щхьэр хуэзыгъазэ сэхураным ещхьу, «Хэку» псалъэм «хабзэр» напэкIуэцI къэс къыщыдожьу. Ауэ къэкIуэжу хэкурысым бгъурыту щIыр IэбжьанипщIкIэ къизытхъуну хьэзырхэр сыту мащIэ! Иджыри лIэщIыгъуэ дапщэ текIуэдэну пIэрэ адыгэр и гуращэм и ужь иувэным тегушхуэфу зригъэсэхукIэ? Е а гуращэр имыIэххэу пIэ-рэ? ЩIыналъэр и пIэ итщ, цIыху и мащIэщ, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэщ. Пщэдейрей ныбгъуэр лъагэIуэу зэрыдгъэлъатэр армырауэ пIэрэ нобэрей бзум и зэфIэкIхэм дыщIыхуэбэлэрыгъыр?! Апхуэдэ гупсысэхэри къадоуш Iэмал фиIэххэмэ, къызэгуэфхыну фызытедгъэгушхуэ тхылъым. «Налшык зымылъэгъуам Кавказыр слъэгъуащ жремыIэ», — щетх абы Къардэн Хьусний. «Налшык щымыпсэуам сыпсэуащ жремыIэ», — поджэж абы къалэм дэт жыгхэри, псыежэххэри, цIыхухэри. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101528.txt" }
Псэм къыIэпыкI пшыналъэхэр Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм, щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ. ЗэрыцIыкIурэ адыгэ макъамэм щIэдэIун фIэфIщ, абы щыщIапIыкIащ унагъуэми щеджа макъамэ школми. Нанэ и пшынэм IэфIу сипсыхьырт… — Си анэшхуэ Тохъутэмыщ Лейла пшынауэу щытащ. СыщыцIыкIум сфIэфIу седаIуэрт нанэ зэуэ макъамэхэм. СыбгъэдэтIысхьэрти, пшынэ Iэпэр зэригъэ-джэгум сыкIэлъыплъырт. ИтIанэ, зезгъэщхьыну сыхэтт. Абы сипсыхьауэ къыщIэкIынущ. СыцIыкIуу пшынэр ныбжьэгъу схуэхъуащ. Адыгэ пшынэм и макъыр си тхьэкIумэм ит зэпыту сыкъыдэкIуэтеящ. Си гъэсакIуэхэр щапхъэт — ИлъэсиплI сыхъуу сагъэкIуащ Къэрэшей-Шэрджэсым пшынауэ щагъасэу япэу зэхаша гупым. Гъуаджэ Галинэ деж щезгъэжьащ. Абы езым сабий уэрэд цIыкIухэр етх. ТIэкIу сыкъыдэкIуэтея нэужь, илъэси 7-м ситу, Ажийбэч Валерэ и деж зыщызгъэсэн щIэздзащ. Абы щыгъуэ къызгурыIуэпат адыгэ пшынэм си гъащIэр еспхыну сызэрыхуейр. Валерэ зэпымыууэ пшыхьхэм дыхигъэтырт, ди-гъэгушхуэрт, «Меркурий» ансамблым арат сыхэзышар. Нэхъри зызужьыну сыхущIэкъурти, Абхъазым макъамэмкIэ и колледжым сыщIэтIысхьащ. Пшынауэ цIэрыIуэ, композитор Хъунцарие Уэтэр си егъэджа-кIуэу колледжыр къэзух- ри, Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуащ — Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэмкIэ и институтым сыщIэтIысхьащ, Кхъуэжь Мадинэ и гупым сыхэсащ. Куэдым хещIыкI Мадинэ, и гъэсэнхэми ар ябгъэдилъхьэн папщIэ Iэмал гъэщIэгъуэнхэр къегъэсэбэп. Псом хуэмыдэу IуэрыIуатэ макъамэм щыгъуазэщ, езыми зэхуехьэс. Кавказым и щIыналъэ псоми къикIа студентхэр дызэхуишэсат еджапIэм. ПщыхьэщхьэкIэрэ пшынэ деуэрт, уэрэд жытIэрт, адыгэ джэгу тщIырт — щхьэж зыхуэIэижь къэдгъэлъагъуэрт. НэхъыжьыфIхэр — Си гугъэмкIэ, пшынэм адыгэ макъамэ къыщибгъэкIым деж пшынауэ нэхъыжьхэм я щапхъэм къытекIын хуейщ. АбыкIэ щапхъэщ КъБР-м щыщу Къашыргъэ КIурацэ, КъШР-мкIэ Ерыж Зулий, Цекъ Зэрылэ сымэ. Институтыр къыщызухми, си щIэныгъэ лэжьыгъэр зытеухуауэ щытар аращ: Къашыргъэ КIурацэрэ Ерыж Зулийрэ я творчествэрт. СфIэгъэщIэгъуэну селэжьащ. Зы зэманым хэп- сэукIа пшынауитIым я макъамэ Iэмэпсымэ джэгукIэр зэзгъэпщащ. Гу лъыстащ: Къашыргъэмрэ Ерыжымрэ зы макъамэм еуэу чэзууэ уедэIуамэ, еуэр дэтхэнэрами зэхэбгъэзэрыхьырт — я гъэзэщIэкIэр зэтехуэрт. Иджы тыншу зэхыбоцIыхукI Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ пшынауэм и макъамэ къигъэкIыкIэмрэ Къэрэ-шей-Шэрджэсым щыщыр зэреуэмрэ. Щхьэж и гупсысэ щIилъхьэ хъуащ макъамэм. Ари хъарзынэщ. «Бзабзэ» — Къэбэрдей-Балъкъэрым еджакIуэ сыкъызэрыкIуэрэ сехъуапсэрт шыкIэпшынэ сеуэфу Еуаз Зубер и деж зыщызгъэсэну. Ар Iуэху сымыщIурэ, еджэным сыкъыдэмыхуэурэ, 5-нэ курсым сынэсащ. ЕджапIэр къэзухмэ Къэрэшей-Шэрджэсым згъэзэжын хуей хъунути, шыкIэпшынэми сыхэкIыжынут. Зэманыр къыщыскIэщIикъузэм, Зубер и деж сыкIуащ. Абы щыгъуэ Еуаз Зубер пшынауэ-шыкIэпшынауэ гуп къызэригъэпэщырти, абы къысхутепсэлъыхьащ, сыхыхьэнуи сригъэблэгъащ. Сэри арэзы сыхъуащ. «Бзабзэ» гупыр занщIэу къыщацIыхуащ ди республикэми, къуэш республикэхэми, хамэ къэрал щып-сэу ди лъэпкъэгъухэри гупым къыщIэупщIэ хъуащ. Иджыпстуи сызыхэт «Бзабзэ» гупым 2015 гъэм япэу концерт щыттауэ щытащ ХьэтIохъущокъуэм жыг хадэм. ЩIыуэпсым дыхэту, хьэуа къабзэкIэ дыбауэрэ уафэ къащхъуэр тлъагъуу концертыр зэрекIуэкIар гукъинэт. Гъэмахуэ пшыхьэщхьэ дахэм паркым итхэм я гум дехуэбылIэнщ жытIэри, Iуэху тщIауэ арат ар. Концертым кIэщIу иужь иту гупыр Тыркум дыщыхьэщIащ. ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм щытта концертым еплъа нэужь, филологие щIэныгъэхэм я доктор Бакъ Зерэ Еуаз Зубер къыжриIащ Тыркум ишэну щIалэгъуалэ гуп зэрызэхуишэсыр икIи гупым дахыхьэну зэригуапэр. Тырку республикэм и къалэ, къуажэ куэдым щыдгъэIуащ адыгэ пшынэмрэ шыкIэпшынэмрэ я макъыр. Тыркум Гъэзиуэсмэн пэщэ (Gaziosmanpasa Universitesi) университетым концерт щытта нэужь, абы еплъахэм зыкъытхуагъазэурэ дгъэзэщIа макъамэхэм я тхыдэм, дызэреуэ щIыкIэм теухуауэ куэдым щIэупщIахэт. Нэхъыбэу дгъэзэщIар щIопщакIуэ макъамэхэрт, нэхъапэм адыгэр сымаджэм зэреIэзэу щытахэрт. Абы и хъыбар щахуэтщIым, дауи, телъыджэ ящыхъуащ. Мыхьэнэ иIэщ узэуэ макъа-мэм и тхыдэр пщIэным, абы щыгъуэм ар псэкIэ зыхыбощIэри. А бгъэзащIэм лъагъуныгъэрэ уи псэм щыщ Iыхьэрэ хэплъхьэмэ, къохъулIэ-нущ. Пшынауэ цIыкIухэр согъасэ — Еуаз Зуберрэ сэрэ мызэ-мытIэу Германием драгъэблэгъащ адыгэм и макъамэ Iэмэпсымэхэр абы щыпсэу ди лъэпкъэгъу щIалэгъуалэм едгъэцIыхуну, еуэкIэм хуедгъэсэну. Сэ — пшынэм, Зубер — Iэпэпшынэмрэ шыкIэпшынэмрэ я щэхухэм хуедгъэджащ ныбжьыщIэхэр. ГъэщIэгъуэну къызэгъэпэщат Iуэхур. Дерсхэр зэфIэкIа нэужь, Адыгэ Хасэм деж пшынауэ пшыхь щедгъэкIуэкIыжырт. Абдежым дэ едгъэджахэр зэдгъэса къафэхэм щеуэрт. Гухэхъуэт абыхэм уахэплъэну. Налшыки цIыкIухэр пшынэм щыхузогъасэ. СфIэфIщ, си гуапэщ садэлэжьэну. Я ехъулIэныгъэхэм сыщогуфIыкI. «Абазэ-адыгэ къафалъэхэр» Мы гъэм и гъатхэпэм «Абазэ-адыгэ къафалъэхэр» зи фIэщыгъэ си тхылъыр къыдэкIащ. Абы къафэ зэмылIэужьыгъуэу 91-рэ ихуащ. Тхылъыр къыдэкIыным хуэщхьэпащ Хъурей Феликс, нотэхэр зэпэщ хъунымкIэ къыздэIэпыкъуащ ХьэIупэ ДжэбрэIил, къафэхэм я зэкIэлъыкIуэкIэмкIэ чэнджэщэгъу схуэхъуащ Думэныщ Iэулэдин, макъамэхэм селэжьыху си гупсысэхэр есхьэлIащ Еуаз Зубер. АдыгэбзэкIэ тхыгъэр зэригъэзэхуащ Езауэ Мадинэ, абазэбзэмкIэ — Апсэ ФатIимэ. Иджы етIуанэ тхылъым солэжь. Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ Пшынэ сеуэу е уэрэд жысIэу утыкум сыщитым деж, макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ. Сэ макъамэм сыхэту аракъым, атIэ макъамэр езыр сэ сщыщ хъуакIэщ. Пшынэр си гум, си псэм къоIэзэ. Зэгуэр зэ гъуазджэм и лъахэм иджэрэза цIыхур абы къыхэкIыжыфыну си фIэщ хъуркъым. Ар гъащIэ гъусэ пхуэхъунущ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101531.txt" }
Дуней псом щыцIэрыIуэ ди лъахэгъу сурэтыщI Пащты Герман и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ я сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и академик, Красноярск Ксилогра-фиемкIэ щыIэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профессор, республикэм исхэр зэрыгушхуэ, дуней псом къыщацIыху художник Пащты Герман и ныбжьыр щэкIуэгъуэм и 9-м илъэс 80 ирикъуащ. Герман пасэу дихьэхат сурэт щIыным, зыми абы хуримыгъэджами. Нэхъ иужьыIуэкIэ, и унагъуэм и гъусэу къалэм къыщыIэпхъуам, Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм щыIэ гупжьейм зыхригъатхэри, егъэджакIуэ Ткаченкэ Андрей и гъэсэнхэм ящыщ зы хъуащ. Пащтыр илъэс 26-м иту СССР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. И сурэтхэр къытехуащ «Дружба народов», «Художник», «Панорама» журналхэм, «Известия», «Советская культура», «Литературная Россия», «Книжное обозрение» газетхэм. 1957 — 1963 гъэхэм ар щеджащ Гре-ков М. Б. и цIэр зэрихьэу Дон Iус Ростов дэт художественнэ училищэм. 1968 — 1974 гъэхэм абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Украинэм Фёдоров Иван и цIэр зэрихьэу щыIэ полиграфие институтым. 1964 гъэм къыщыщIэдзауэ и лэжьыгъэ щхьэпэхэр щигъэлъэгъуащ щIыналъэ, республикэ, урысейпсо, союзпсо, дунейпсо выставкэхэм. Уралым къыщыщIэдзауэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм нэс, Улан-Удэ щегъэжьауэ Якутск щиухыу и лэжьыгъэхэр утыку къыщрехьэ нобэми. Герман Налшык щыщыпсэуам «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм дэла-жьэу щытащ. Иджыри дунейм къытемыхьа, зыми имылъэгъуа тхылъыщIэхэр япэу щIэзыджыкIыр ара-ти, сурэт щIэщыгъуэхэр яхуищIырт. Санкт-Петербург Репиным и цIэр зэрихьэу дэт институтыр, а къалэм гъуазджэхэмкIэ щыIэ музейр, Москва гъуазджэхэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэр къэзыухахэр иджы Герман и деж щоджэ. КъищынэмыщIауэ, Якутием, Бурятием, Тыва, нэгъуэщI щIыпIэ- хэм щыщ, лъэпкъ зэмылIэужьы-гъуэхэм къыхэкIа куэд щIэныгъэм хуэпабгъэу къакIуэурэ Герман и мастерскойр къаух. И гъэсэнхэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, псори СурэтыщI-хэм я зэгухьэныгъэхэм хэтщ. Зыбжанэр профессорщ, доцентщ. Герман иригъэджахэр урысей, дунейпсо гъуазджэм екIуу, дахэу хыхьащ, Урысей академием и медал-хэр, щIыхь тхылъхэр, Красноярск крайм и губернаторым и саугъэтыр, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэны-гъэм и стипендиер къыхуагъэфа- щэу. Я лэжьыгъэхэр зэманым докIу, уригушхуэу сыт хуэдэ утыкуи щыбгъэлъагъуэ хъуну. Къыхэгъэщыпхъэщ и студентхэм адыгэ хабзэр зэрахилъхьэри. Ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм ахэр зэрыщыгъуазэм имызакъуэу, зэрагъэзащIэми кIэлъоплъ. Псалъэм папщIэ, щыщIыхьэкIэ къэтэджурэ гуапэу сэлам кърах, Iэнэм хабзэм тету пэрысщ. Красноярск и «Поликор» тхылъ те-дзапIэм экземпляр 300 хъууэ къыщыдэкIа тхылъ гъэщIэгъуэным хагъэхьащ Пащты Герман и школыр къызэрызэригъэпэщам, ксилографием и лъабжьэм, а унэтIыныгъэм ди къэралым щиIэ увыпIэмрэ зыужьыныгъэмрэ теухуа тхыгъэ. Пащтым и япэ выставкэ Налшык къыщызэIуихам утыку къыщрихьат и сурэт 73-рэ. А выставкэм наIуэ къищIат Герман и зэфIэкIыр зэры- иныр, и творчествэр зэрыкупщIа- фIэр. Гукъинэжт абы и «Ленинград», «Щихухэр», «Iуащхьэмахуэ», «Ван Гог», «Макъамэ» зыфIища сурэт- хэр, нэгъуэщIхэри. Абы лъандэрэ ди хэкуэгъу художникым и лэжьыгъэхэр дуней псом и щIыналъэ куэ-дым щигъэлъэгъуащ, щIыхь тхылъ, щIыхьыцIэ куэди къыхуагъэфэщащ. Гъуазджэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм хуэIэкIуэлъакIуэ дэтхэнэ зы сурэтыщIми иIэщ зыхилъхьэ щымыIэу илъагъу зы унэтIыныгъэ. Пащты Герман и дежкIэ ар пхъэм тхыпхъэхэр, сурэтхэр тещIыхьынырщ (ксилографие). Пащтыр нэгъуэщIхэм къахэзыгъэщщ сурэтыщI щIэщыгъуэщIу зэрыщымытыр. Абы и гравюрэхэр тхыгъэм зэрыщыту къытрищIыкIыркъым, атIэ усакIуэм и гупсысэм езым и Iуэху еплъыкIэр хуэм-хуэмурэ хеухуанэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, игъэщIэрэщIэну тхылъхэр къыщыхихкIэ усэхэм нэхъ дахьэх. НэхъыфIу илъагъу усакIуэхэм ящыщщ КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Бещтокъуэ Хьэбас, Лермонтов Михаил, Пушкин Александр сымэ. Иужьрей илъэс тIощIым дунейм къытехьащ Герман игъэщIэрэщIа тхылъ щэщIым щIигъу. Дэтхэнэ зы- ми абы хелъхьэ и псэм щыщ Iыхьэ. Лермонтовым и поэмэхэм илъэситхум къриубыдэу гравюрэ 40-м нэблагъэ триухуащ Пащтым. Пушкиным и «Тхыгъэ къыхэхахэм» илъэсипщI- кIэ елэжьащ, гравюрэ зыбжанэ хуищIу. Красноярск дэт Политехникэ университетым и юбилейм ирихьэ-лIэу напэкIуэцI 400-м нэблагъэ хъууэ къыдэкIа тхылъым ихуа сурэтхэм елэжьащ. Апхуэдэу адыгэлIым къыдигъэкIащ «Ксилографы Красноярска» альбомыр, пэублэ псалъэр щIыналъэм и губернатору щыта Хлопонин Александр ейуэ. Лэжьыгъэр зи жэрдэмыр Герман и къуэ Пащт-Хъан Алимщ. Тхылъым ихуащ Герман и лэжьыгъэу 800-м нэблагъэ. Ксилографие, линогравюрэ, акварель, живопись, керамикэ, феррографие жыпIэми, абы куэд къызэщIаубыдэ. Зэгуэрым Китайр Пащтым и гравюрэ 1000-м къыщыщIэупщIэм, ар зыпэмылъэщыну бжыгъэу къилъытэри, лэжьыгъэ 600-кIэт къызэригъэгугъар. Абы теухуа хъыбарыр ялъигъэIэсащ Челябинск, Уфа, Москва, Санкт-Петербург, Улан-Удэ, Якутск, Иркутск къалэхэм, Тывам, Германием, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэу и гъэсэнхэм. Къагъэхьа лэжьыгъэхэм яхэплъэурэ, нэхъыфIхэр къыздыхихым, гравюрэхэм я бжыгъэр 1000 ирикъуа нэужь, и зы лэжьыгъэ щIигъужащ, «гравюрэ 1001-рэ ирехъу», — жиIэри. Китайхэм апхуэдиз гравюрэр абдж рамкэхэм ирагъэувэри, «1001 гравюра Красноярской студии ксилографии Германа Паштова» гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуахащ. И гъэсэнхэм я гъусэу Пащтыр абы щыгъуэ ирагъэблэгъат Харбин къалэм. Къэралыгъуэм и махуэр бгъэлъэпIэн щхьэкIэ, Iэмал имыIэу и гербыр, ныпыр бгъэлъэгъуэн, гимныр жыпIэн хуейщ. Пащты Германрэ и ныбжьэгъу балъкъэр щIалэ Аккизов Екъубрэ зэгъусэу ящIауэ щыта гербыр 1997 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым къищтащ. Пащты Герман илъэс куэд щIауэ Красноярск щопсэу икIи щолажьэ. Абы зэрыжиIэмкIэ, и лъэр щIыпIэ куэдым нэсми, къару нэхъыбэу къыхэзылъхьэр, гукъыдэж къезытыр Хэкум къэкIуэжурэ зэрыщыIэращ. Германрэ и щхьэгъусэ Жаннэрэ зыпхъурэ зы къуэрэ яIэщ — Лилиерэ Алимрэ. Герман и къуэ Пащт-Хъан Алим и адэм и лъагъуэм ирикIуэжащ. Ар КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщIщ. Пащтыр зыми емыщхь, зи лэ- жьыгъэхэр IэзагъкIэ псыхьа, гъуазджэм и лъагапIэм нэса сурэтыщIщ. Герман и лэжьыгъэхэр цIыху псоми яхуэгъэзащ икIи щIэупщIэшхуэ яIэщ. Ахэр къэрал музейхэм щахъумэ, цIыху щхьэхуэхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ. Нэхъыщхьэращи, абы и IэщIагъэмкIэ цIыхухэм дэрэжэгъуэ ярет. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101534.txt" }
АвтобусыщIэхэр трагъэувэнущ Республикэм ис цIыхубэр ирогузавэ 14-нэ маршрутым тет ПАЗ автобуси 7 мафIэм зэрисам. КъэхъукъащIэм икIэщIыпIэкIэ къыхуагъуэта хэкIыпIэхэм топсэлъыхь Налшык къалэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз. «Куэд дэмыкIыу хабзэхъумэхэм къыджаIэнущ къэхъуа Iуэху мыщхьэпэм и щхьэусыгъуэр, — щетх Ахъуэхъу Таймураз инстаграмым щиIыгъ и напэкIуэцIым. — Ауэ 14-нэ маршрутымкIэ зекIуэ цIыхухэр здэкIуапхъэм нэсын папщIэ, унафэ пыухыкIахэр къэтщтащ. «Налшык транспорт» IуэхущIапIэм и фIыгъэкIэ, зыхуэчэм автобус бжыгъэр иридгъэкъужауэ, иджыри къэс зэрылэжьам хуэдэ дыдэу автобус 11 мэлажьэ». Ахъуэхъу Таймураз щыгъуазэ дещI нэхъ пасэу Мэзкуу къалэм и Правительствэм къыбгъэдэкIыу республикэм къыIэрыхьа автобус 15-м нэмыщI, иджыри 20 тхьэмахуэ кIуам къызэрыдатар. Иджыпсту а псори лэжьыгъэм зэрыпэрыхьэнум епха дэфтэрхэр зэ-фIах, зэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу къалэ гъуэгухэм теувэн хуэдэу. «Зэрызэтедухуам хуэдэу, къалэм щызекIуэ транспортыр зыхуей зэрыхуэдгъэзэным дыпэрытщ, — негъэс и хъыбарыр Ахъуэхъум. — Дэ ди мурадщ Налшык щызекIуэ транспорт псори цIыху куэд зэрыхуэ автобусыфIхэмкIэ тхъуэжыну. А псори зэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу «Тройка» жыхуаIэ ахъшэ етыкIэ IэмалхэмкIэ дузэдынущ, абы куэдкIэ нэхъ игъэмэщIэнущ гъуэгу теувэ цIыхухэм я гъуэгупщIэр». Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101540.txt" }
ЛъэужьыфIэу псэуа лIы щыпкъэ Гупсысэ жан зэриIэм, Iуэхум зэи зэрыхуэмыщхьэхым, зыпэрыхьэ IэнатIэр зэрыригъэфIакIуэм я фIыгъэкIэ цIыху щэджащэхэм я цIэр лъэпкъым, хэкум и тхыдэм къыхонэ. Апхуэдэу зи IуэхущIафэхэмрэ гъащIэ купщIафIэмрэ дэтхэнэми и щапхъэ нэсу къыт-хуэнащ къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министру илъэс 20-м щIигъукIэ лэжьа, «Хэку» зэгухьэныгъэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Налшык къалэ къудамэм я тхьэмадэу щыта Ефэнды Джылахъстэн Къасым и къуэр. Гур щIэгушхуэ IуэхуфIхэм я къызэгъэпэщакIуэущ, цIыхубэм гурэ-псэкIэ яхуэлэжьа IэщIагъэлI нэсущ ар дигу къызэринар. Театрым, музыкэм, гъуазджэм, цIыхубэ творчествэм республикэм зыщыщиужьа лъэхъэнэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Ефэндым и цIэм. Иджыпсту дызэрыгушхуэ щэнхабзэ ухуэныгъэ нэхъ инхэри, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ щадж IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэри республикэм щыухуэныр зи жэрдэму щытар, абы емытIысэхыу иужь итар Джылахъстэнщ. ГъащIэм къыхуигъэув сыт хуэдэ къалэнми пэлъэщ акъылрэ къару-рэ къызыкъуихыфырт абы. Ар умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Абы къыдэкIуэу, республикэм лъэпкъыу исыр зэхуигъадэрт, дэтхэнэ-ми и лъэпкъ щэнхабзэмрэ хабзэмрэ хъума зэрыхъуным егугъурт. Къыщалъхуа республикэмрэ абы ис лъэпкъхэмрэ я Iуэху дигъэкIын папщIэ ар зыщIэмыхьэф пэшрэ зыхуэмызэф къулыкъущIэрэ къэралым исакъым а лъэхъэнэм. Абы и фIыгъэкIэ ди лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIэмрэ я хабзэмрэ куэдым къаригъэцIыхуу Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэхэр Москваи Урысейм и нэгъуэщI хэгъэгу куэдми щекIуэкIащ. А псори къызэбгъэпэщыныр тынштэкъым, къаруи зэмани текIуадэрт, ауэ Джылахъстэн цIыху емызэшт, гу къабзэт, губзыгъэти, зи ужь ихьэнущ псори къехъулIэрт. Мэлбахъуэм и унафэкIэ щэнхабзэмкIэ министр IэнатIэм щыпэрыувам и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэмкIэщ и лэжьыгъэр зэрыригъэжьар — Музыкэ театр, оперэ, балет, опереттэ щагъэлъэгъуэфыну, ухуэн щIидзащ. Iуэху дахэ куэд щекIуэ-кIащ 30 гъэхэм зи бжэхэр къызэIузыха, совет властым и Iэужь Къэбэрдей-Балъкъэр драмэ театрым. ЦIыхухэр зыщыгуфIыкIауэ яухуа-хэм ящыщщ иджыпсту ди щIэблэм я зэфIэкIым, къэухьым зыщрагъэужь, кхъухь теплъэ зиIэ, Сабий творчествэмкIэ республикэ унэр, КъБР-м и Лъэпкъ музейр, къэфапIэр, зоопаркыр, макъамэмкIэ, гъуазджэмкIэ школхэр, институтхэр, библиотекэхэр. IуэхущIапIэ куэд яухуащ а зэманым, адыгэ, балъкъэр щэнхабзэри утыкушхуэхэм щагъэлъэгъуащ. Зы гуфIэгъуи щекIуэкIыу къыщIэкIынтэкъым Къэбэрдей-Балъкъэрым, къафэрэ джэгурэ хэмыту. 1934 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и къэрал ансамбль къэунэхуащ. Джылахъ- стэн министр щыхъуам, а ансамблым нэхъри зиужьмэ нэхъ къищтэу, уэрэд жызыIэхэр хор ищIу, къэфакIуэхэр ансамбль щхьэхуэу игъэпсыну зэримурадыр Мэлбахъуэм жриIати, къыдиIыгъащ. Абы щыгъуэм хорыр радиокомитетым ей хъуат. ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ драмтеатрым япэу концерт щитат къэфакIуэ ансамблым. Абдеж къыщежьащ «Кабардинка»-м и творческэ гъащIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я гъуазджэр «Кабардинка» ансамблым илъэс 25-кIэ щигъэлъэгъуащ Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм, Куржым, СССР-м, Африкэм, Азием, Европэм. «Сэ ансамблым сыщыхыхьагъащIэм сытезыгъэгушхуахэм, утыку сизышахэм ящыщащ Джылахъ- стэн жысIэмэ, сыщыуэнукъым. Япэ дыдэу ар ди гъусэу Липецк дыкIуауэ щытащ. И гъусэу гъуэгу утехьэнри тыншт. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар дэни къыщацIыхурт, пщIэшхуэ къыщыхуащIырт. Хамэ къэралхэм дыкIуа нэужь, ар унагъуэхэм, къулыкъущIэхэм ирагъэблагъэрт. Апхуэдэхэм зыбжанэри сыздишащ. Сыт щыгъуи гу лъыстэрт абы и псэлъэкIэ щабэм, и гукъэкIхэм, бысымхэм яхуищI пщIэмрэ ахэр зэригъэгушхуэмрэ. Джылахъстэн щэнхабзэмкIэ министру щыщыта илъэсхэрщ «Кабардинка»-р дуней псом къыщыщацIыхуар. Аращ апхуэдиз илъэс лъандэрэ ансамблым лъагэу зэрихьэ цIэр фIэзыщари. Къапщтэмэ, абы и закъуэкъым, къыпхуэмылъытэным хуэдизщ щэнхабзэм зегъэужьыным теухуауэ абы хузэфIэкIар», — и гуапэу игу къегъэкIыж «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь. Щэнхабзэм нэмыщI, парт, политикэ, къэрал IэнатIэхэми, жылагъуэ Iуэхуми пэрытащ Джылахъстэн. Хамэ къэрал куэдым щикъухьа адыгэ лъэпкъыр зэрыIыгъ, зэкIэлъыкIуэ, зэкъуэт хъужыным и гуащIэ хилъхьащ. «Хэку» обществэм щыщыIам лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм пыщIэныгъэ яхудиIэнымкIэ, ахэр я адэжьхэм я щIыналъэм къегъэблэгъэнымкIэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Иорданием, Сирием, Тыркум, США-м, Германием щыпсэу адыгэхэм я лIыкIуэхэр гъэ къэс къригъэблагъэрт, абыхэм я щIэб- лэ цIыкIухэм гъэмахуэм Налшык зыщрагъэгъэпсэхурт, нэхъ жыджэру къыдэлажьэхэр Налшык и санаторэхэм къишэрт, ныбжьыщIэ 25-40 хуэдиз КъБКъУ-м, КъБКъМУ-м къыщIагъэтIысхьэрт, апхуэдэ дыдэу, КъБР-м и Правительствэм и унафэщIхэр яхэту, ди республикэм икIа лIыкIуэхэр яхуеблагъэрт я псэукIэр зрагъэлъагъуну, зыхэс лъэпкъхэм зэрадекIуэкIыр зрагъэщIэну. Апхуэдэу гурэ псэкIэ лэжьыгъэм зэрыпэрытыр, зэпыщIэныгъэшхуэхэр иIэу и Iуэхухэр зэрызэфIигъэкIыр, дэнэ IэнатIэ ямыгъакIуэми щIэ гуэр зэрыхилъхьэр къалъытэрт республикэ унафэщIхэми. КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и Япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэ, секретарь ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд, КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ сымэ чэнджэщкIэ зыхуагъазэрт, и Iуэху зехьэкIэр зыхуэдэр ящIэрти. Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр къызэгъэпэщынымкIэ, цIыхубэр зэкъуэгъэувэнымкIэ, щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ Джылахъстэн зэфIихыу щыта Iуэхухэр иджыри лъэхъэнэ куэдкIэ щапхъэу къахьынущ. Ефэндым и лэжьыгъэм хуэфэщэн пщIэи игъуэтыжащ. Абы къыхуагъэфэщащ «ЩIыхьым и дамыгъэ», ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденхэр, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэ-хэм папщIэ» орденыр, Иорданием и Вагъуэ орденым и япэ нагъыщэр, медаль зыбжанэ. Ар РСФСР-м, КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэт. И лэжьэгъуэ пIалъэр иухыу тIысыжа нэужь, абы и Iэдакъэ къыщIэкIа, бзэ шэрыуэкIэ къэIуэта тхылъхэм зэман жыжьэм къыхэна ди блэкIам теухуа гъэщIэгъуэн куэд къыщыгъэлъэгъуэжащ. Сыту бзэ дахэ Iурылът Джылахъстэн. Журналист, тхакIуэ нэсым хуэдэу дахэу итхыжащ абы Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ бейуэ къекIуэкIа и гъащIэр. «Илъэсхэр, къэхъукъащIэхэр, цIыхухэр», «Афэрым, «Кабардинка» тхылъэр махуэ къэс уи Iэнащхьэм телъ хъунущ, къызэгуэпхрэ щхьэпэ гуэррэ узыпэрытым утезыгъэгушхуэ псалъэрэ къипхыу. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101543.txt" }
Спортымрэ туризмэмрэ зрагъэужьынущ ЩэкIуэгъуэм и 15 — 17-хэм КъБР-м и Парламентым Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм теухуауэ щIалэгъуалэр, депутат ныбжьыщIэхэр зы-хэт зэIущIэхэр щокIуэкI. Iуэхур къызэрагъэпэщащ КъБР-м и Парламентым, КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым, Парламентым и щIалэгъуалэ палатэм. Абы хэтщ депутатхэр, министрхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр. ЗэIущIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум теухуауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм щыщщ. КъызэгъэпэщакIуэхэм я мурадщ депутат ныбжьыщIэхэм я гупсысэм зрагъэужьыну, чэнджэщ иратыну, ахэр щIыпIэ самоуправленэхэм я лэжьыгъэм жыджэру хэтыным къыхураджэну. ЗэIущIэхэр Iуэху зэмылIэужьыгъуэу 10-м траухуащ. Абыхэм къыхашащ республикэм и депутат ныбжьыщIэу 200-м нэблагъэ. Ди республикэм спортым, туризмэм, курортхэм зыщегъэужьыным теухуауэ щытащ унэтIыныгъэхэм ящыщ зыр. Абы Iуэхугъуищ щызэпкърахащ: КъБР-м цIыхубэ спортымрэ сабий-ныбжьыщIэ спортымрэ зыщегъэужьыныр, туризмэр щегъэфIэкIуэныр, федеральнэ, щIыналъэ, муниципальнэ утыкухэм спортымрэ туризмэмрэ зыщегъэужьыныр. ЗэIущIэм кърагъэблэгъащ депутату хаха спортсмен ныбжьыщIэхэр. — Спортымрэ туризмэмрэ цIыху гъащIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ, узыншагъэр куэдкIэ елъытащ. Ди гуапэ зэрыхъущи, ди республикэм зыщаужьащ спорт лIэужьыгъуэ куэдми туризмэми. Спорт зэфIэкI лъагэхэр къагъэлъагъуэ ди цIыхухэм, чемпионхэр къахокI. ДиIэщ гъэсакIуэ лъэщхэри. Къапщтэмэ, япэ тренерыр физическэ щэнхабзэмкIэ егъэджакIуэрщ. Абы и деж къыщожьэ цIыхум спортым хуищI гупыжыр, — жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ. — Сэ мы зэIущIэм куэдкIэ сыщогугъ. Нобэ фэ фыспортсмен къудейкъым, атIэ икIи фыкъулыкъущIэщ. Дыхуейщ, а къалэным жэуаплыныгъэ пылъу фыпэрыувэну, Iуэхухэр жыджэру къызэвгъэпэщу зевгъэсэну. Абы папщIэ Iэмал хъарзынэхэри фиIэщ. Сэ, псалъэм папщIэ, сыщIалэу, цIыхубэ депутатхэм я Налшык къалэ Советым сыщыхагъэхьар сигу къокIыж. СыщыхахакIэ, дауи, къалэн гуэрхэр си пщэ къыдэхуэрт. Ауэ зыкъомрэ нэсу къызгурыIуакъым ахэр зэрызгъэзэщIэнумрэ есхьэлIэну гуащIэмрэ зыхуэдэр. Абы щыгъуэ мыпхуэдэ зэIущIэхэр щыIатэмэ, нэхъри тегушхуауэ яужь дихьэну къыщIэкIынут Iуэхухэм. АтIэ, фэ апхуэдэ Iэмалхэр фиIэщ. Фи къулыкъум унафэ щхьэхуэхэр къэфщтэну хуит фищI къудейуэ аракъым. Iуэхуу фызыпэрыувэр и кIэм нэсыху фи нэIэ щIэвгъэтын хуейщ. Си гуапэщ депутатхэм спортсмен куэд зэрахэтыр. Къысщохъу спортсменхэм зыми хуэмыдэ хэлъэт яIэу, — жиIащ абы. КъБР-м и Парламентым Физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и комитетым и унафэщI Бэрэгъун Арсен депутат ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэну икIи Парламентым и зэхэтыкIэм, комитету иIэхэм, депутатхэм я къалэнхэм, фракцэхэм яхутепсэлъыхьащ, спортым цIыхухэр къыхашэнымкIэ чэнджэщхэр яритащ. — Псом нэхърэ нэхъыщхьэр сабийр физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ дегъэхьэхынырщ. Смартфонхэмрэ гаджетхэмрэ егъэгъэтIылъын хуейщ ди сабийхэм, абы зэраныгъэ куэд къехь. НэхъыфIкъэ спортым къыхэтшэмэ! Спортсменхэм щIэблэм закъевгъэлъагъу, фаIущIэ, щапхъэ фахуэхъу, зэвгъэхъуапсэ — аращ хэкIыпIэр. Псом хуэмыдэу тренерхэм къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ абы теухуауэ. Ахэр гъэсакIуэщ, егъэджакIуэщ икIи психологщ, — жиIащ абы. КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур къытеувыIащ министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм, республикэм спортым зэрызыщиужьым, ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ зэхьэзэхуэхэм. КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шаваев Ислъам къытеувыIащ а IэнатIэм зэрызиужьым. — КъБР-м щыIэщ туристхэм папщIэ ухуэныгъэ 229-рэ, абыхэм тыншу щIэхуэнущ турист мин 16-м нэблагъэ. Ди щIыпIэ дахэхэм Iэмал къыдат туризмэм зедгъэужьынымкIэ. Псом хуэмыдэу альпинизм спорт лIэужьыгъуэм цIыхухэр кърешалIэ ди щIыналъэм, — жиIащ абы. Шаваевыр къытеувыIащ щIыналъэм щыIэ псыхущхъуэхэм, псыкъелъэхэм, бгылъэхэм я фIагъхэм. КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и деж щыIэ советым и унафэщI Тхьэзэплъ Iэниуар жиIащ республикэм и цIыхухэр узыншэн папщIэ тIэкIу зэплъэкIыжыну, лэжьыгъэкIэ нэхъ гугъу дыщехьу щыта зэманхэр дигу къэдгъэкIыжыну щхьэпэу: — Ди щIалэгъуэм пхъэ ткъутэрт, мэкъу деуэрт, нэгъуэщI лэжьыгъэ гуэрхэри махуэ къэс тщIэрти, абыхэм ди Iэпкълъэпкъыр зэщIагъэкIырт, узыншагъэ диIэт. Нобэ а къалэнхэр щыткIэрыхуакIэ, спортым жыджэру дыхыхьэн хуейщ. Ауэ республикэм и щIыналъэу хъуам абы и Iуэхур щызэIубз дыдэкъым. Къуажэ пхыдза куэдым, псалъэм папщIэ, спортым зыщыхуагъэсэн клубхэр яIэкъым, яIэхэми цIыху куэд екIуалIэ хъууэ къызэгъэпэщакъым, — жиIащ абы. «Альтаир» лъахэхутэ щIалэгъуалэ клубым и унафэщI Мокаев Тенгиз тепсэлъыхьащ щIалэгъуалэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэм, «ЗыхъумэжыныгъэмкIэ школ», «Туризмэмрэ лъахэхутэмкIэ школ» Iуэхухэм я сэбэпынагъым. ЗэIущIэм щыжаIащ мы махуэхэм къаIэт Iуэхугъуэхэр къыщызэщIакъуэжу зы зэIущIэ щхьэхуэ зэрекIуэкIыжынур. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101545.txt" }
КIуэкIуэ Казбек Есчындар Михаил ехъуэхъуащ илъэс 70 зэрырикъумкIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэкIуэгъуэм и 15-м хэтащ Финанс университетым и ЩIэныгъэ советым Москва щригъэкIуэкIа гуфIэгъуэ зэхуэсым. Абы щагъэлъэпIащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Урысей Федерацэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ урысей академием и академик Есчындар Михаил, а махуэм зи ныбжьыр илъэс 70 ирикъуар. Зи махуэр зыхуагъэлъапIэм зыхуигъазэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм жиIащ: «Уэ уи гъащIэр тебухуащ фIыуэ плъагъу Iуэхум, IэщIагъэлI нэсхэр бгъэхьэзыркIэрэ, къэралым, Къэбэрдей-Балъкъэрым зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэпщIащ». КIуэкIуэ Казбек Есчындар Михаил ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэ иIэну, зэIузэпэщу псэуну, щIэныгъэ, жылагъуэ Iуэхухэм ехъулIэныгъэхэр адэкIи къыщихьыну. ГуфIэгъуэ пшыхьым хэтащ Урысейм финансхэмкIэ и министр Силуанов Антон, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, Дагъыстэн Республикэм и Iэтащхьэ Меликов Сергей, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. Есчындар Михаил Финанс университетым и унафэщIу щытащ илъэс 15-кIэ, 2006 гъэм къыщыщIэдзауэ. АдэкIэ ар лэжьэнущ еджапIэм и президент къулыкъум пэрыту. Есчындар М. и пIэкIэ иджы ректору щытынущ профессор, Федеральнэ казначействэм и унафэщIым и къуэдзэ, «Къэрал, муниципальнэ унафэ щIыкIэр» кафедрэм и пашэ Прокофьев Станислав. Есчындар М. щIэныгъэ лэжьыгъэ, монографие, зэреджэ тхылъ, тхыгъэ 500-м щIигъу и къалэмыпэм къыщIэкIащ, щIэныгъэ журналхэм къытрыригъэдзащ. ЩIэныгъэлI цIэрыIуэм зэпкърихахэм ящыщщ лэжьыгъэм фейдэ нэхъыбэ къыпэкIуэным, финанс-промышленнэ гупхэм зегъэужьыным, къэрал унафэ щIыкIэм ехьэлIа Iуэхухэр, экономикэм, щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтыным пыщIа гугъуехьхэр. Есчындар М. Финанс университетым и унафэщIу щылэжьам еджапIэ нэхъыщхьэм хэпщIыкIыу зиужьащ. Университетыр къэзыуха куэд, абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэри яхэту, экономикэ, финанс, къэрал къулыкъущIапIэхэм, IуэхущIапIэхэм я унафэщI хъуахэщ. Нобэ университетыр хуэфащэ дыдэу къалъытэ Урысейм цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ пажэу. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101548.txt" }
ЦIэ лъапIэхэр къыхуагъэфащэ Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и унэм пресс-конференц щекIуэкIащ. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ спорт бэнэкIэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэрэ чемпионату иджыблагъэ Белград къалэм щекIуэкIам кърикIуахэм. Абы ди республикэм щыщ спортсменхэм хэлъхьэныгъэшхуэ щыхуащIащ Урысей Федерацэм грэпплингымрэ бэнэкIэ хуитымкIэ и командэ къыхэхам къихьа текIуэныгъэм. КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам IущIащ грэпплинг спорт бэнэкIэмкIэ дунейпсо чемпион хъуа Урыс Мухьэмэд, дунейпсо зэхьэзэхуэм бэнэкIэ хуитымкIэ дыжьын медаль къыщызыхьа ЗакIуий Азэмэт, щIалэхэм я тренерхэу Шыхъуэстэн Русланрэ ЗакIуий Арсенрэ. ЗэIущIэм хэтащ спортымкIэ министрым и къуэдзэ Хэжь Заур, КъБР-м олимп резервым бэнэкIэ хуитымкIэ и спорт школым и унафэщI ЗакIуий Артур, хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр. Министрыр спортсменхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ дунейпсо утыкум зэфIэкI лъагэ къызэрыщагъэлъэгъуамкIэ икIи жиIащ я медалхэр ягъэбагъуэмэ зэригуапэр. «ИкъукIэ ди гуапэщ ди спортсменхэр зэзэмызэ мыхъуу, атIэ хабзэ яхуэхъуауэ, къэралым и командэ къыхэхам и ехъулIэныгъэхэм хэлъхьэныгъэшхуэхэр хуащIу зэрыщытыр. Ар министерствэм, спортсменхэмрэ абыхэм я тренер Iэзэхэмрэ я лэжьыгъэ зэтеублам и щыхьэтщ», — къыхигъэщащ Хьэсанэ Ислъам. «ГрэпплингымкIэ дунейпсо чемпион хъун папщIэ Мухьэмэд икъукIэ гъуэгуанэ гугъу къызэпичащ. Псом хуэмыдэу абы и зэфIэувэкIам сэ фIыуэ сыщыгъуазэщ. И ехъулIэныгъэхэмрэ и Iуэхухэр щымыхъумрэ, абыхэм къапэкIуэ лъэпощхьэпохэм. ИкIэм-икIэжым, а гугъуехьхэм Мухьэмэд и хьэл-щэн япсыхьащ, и къару емыблэ-жу текIуэныгъэм хущIэкъуным трагъэгушхуащ. ХъуэпсапIэхэр къыщохъулIэр, ар къалэну зыхуэбгъэувыжауэ, махуэ къэс абы ухуэзышэ лъагъуэм ущрикIуэм и дежщ. СызэреплъымкIэ, чемпионыгъэм хуэкIуэным зэрегугъуам къыдэкIуащ а ехъулIэныгъэр. ЗымащIэкIэ зыдгъэпсэхунщ, иджырей напэкIуэцI щхъуэкIэплъыкIэр зэдгъэдзэкIынщи, адэкIэ тхыдэр ттхынщ. Согугъэ, абы ди командэм щыщ лIыхъужьхэр хэтыну, — жиIащ Урыс Мухьэмэд и тренер Шыхъуэстэн Руслан. — Иджыри зэ сохъуэхъу ди къуэшым и текIуэныгъэмкIэ. Псом япэрауэ, фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ ГрэпплингымкIэ урысейпсо федерацэм и президент Бочкаев Ризван. Аращ ди спорт лIэужьыгъуэм и мафIэгур. ФIыщIэ хузощI Урысейм спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и президент Мамиашвили Михаилрэ УФ-м и тренерхэмрэ: Абдулаев Гаджимурад, Гагаев Ибрэхьим, Гавриков Роман. Ди спортсменхэм щIэгъэкъуэн къахуэхъу, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм фIыщIэ хэха хуэфащэщ. ПщIэшхуэ худощI спортсменым сыт хуэдэ Iуэхури къыдэзыIыгъ Сомгъур Анзор. Мухьэмэд ар зыхещIыкI икIи щыгъупщэнукъым. «Файт Зон» командэр псом хуэмыдэжщ». Министрымрэ хьэщIэхэмрэ тепсэлъыхьащ дызыхуэкIуэ зэманым ягъэзэщIэну зыхуагъэувыжа къалэнхэм икIи журналистхэм хъыбар ирагъэщIащ ЗакIуий Арсен «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер», Урыс Мухьэмэдрэ ЗакIуий Азэмэтрэ «Дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер» цIэ лъапIэхэр къыфIащыну зэрагъэлъэгъуамкIэ. ЖЫЛАСЭ Замир.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101551.txt" }
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и бзылъхугъэхэр Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и бзылъхугъэ гуащIафIэхэм ятеухуа «Зольчанка» тхылъыр. Абы елэжьащ Джатэ Руслан, Бжьахъуэ Ранетэ, КъуэщIысокъуэ Iэсият сымэ. Тхылъым ихуащ зи IэщIагъэрэ щIэныгъэкIэ куэд зыхузэфIэкIахэр, щапхъэ хъухэр. ЕгъэджакIуэхэр, дохутырхэр, агрономхэр, гъуазджэм и лэжьакIуэхэр, щIэныгъэм хэтхэр, хабзэхъумэ IэнатIэм щыпэрытхэр — лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI тхылъым ихуахэм я IэщIагъэр. НапэкIуэцI 576-рэ зи Iувагъ тхылъым килограмми 4 и хьэлъагъщ, и бжыгъэри 1000 мэхъу. ЩIыналъэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа бзылъхугъэхэм ятеухуа очеркрэ хъыбару 900-м щIигъу итщ тхылъым. КъыдэкIыгъуэм итщ зи гъащIэр зэман зэхуэмыдэхэм хиубыда цIыхухэр. Хэку зауэшхуэм и пэ къихуэу псэуахэм ятеухуа дэфтэрхэр, сурэтхэр, гукъэкIыжхэр зэхуэпхьэсыныр тыншкъым. ЛIыхъужь куэдым я цIэр зэфIагъэувэжащ тхылъым елэжьахэм. «Зольчанка» тхылъым и пэ къихуэу, щIыналъэм теухуауэ иджыри тхылъитI къыдагъэкIауэ щытащ абы елэжьахэм: «Зольская земля: события, судьбы, свершения», «Зольский район. 1941 — 1945». — «Зольчанка»-р тхылъышхуэм елэжьахэм я ещанэщ. Тхылъищми мыхьэнэ къызэрымыкIуэ яIэщ: Урысейм и зы щIыналъэ цIыкIум апхуэдиз цIыху щэджащэ, апхуэдиз лIыхъужь къызэрыдэкIар, Iуэху щхьэпэу щалэжьамрэ щалэжьымрэ наIуэ къащI. Мы проектым хуэдэ нэгъуэщI щыIэкъым Къэбэрдей-Балъкъэрми, уеблэмэ, Урысей псоми, — жиIащ тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляров Виктор. Гъуэт Синэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101554.txt" }
Зеущэ Арсен: Уадыгэнумэ, Iэмалыр гъунэжщ Нобэ ди псэлъэгъущ сурэтыщI ныбжьыщIэ, и ныбжьым хуумыгъэфэщэн зэфIэкI зыбгъэдэлъ Зеущэ Арсен. Арсен къыщысцIыхуар «Акрополь» уардэунэм папщIэ Грозный Иванрэ Мариерэ къызэрыщыр, ищIа сурэтыр, утыку къыщрахьа махуэрщ. Хуабжьу згъэщIэгъуат ар зи лэжьыгъэр зэрыщIалэщIэ дыдэр къыщысщIам. Пэжщ, IэпэIэсагъыр ныбжьым елъытакъым, ауэ мыр а IэщIагъэм куэд щIауэ ирилажьэ фIэкIа умыщIэну, IэкIуэлъакIуэт. Зеущэм псалъалэкIэ уеджэнкъым, езым и дуней иIэжу къызэрекIуэкIыр нэрылъагъущ. Арагъэнщ абы и лэжьыгъэхэм куэду зэтепщIыкI гупсысэхэм ущIыхуашэфри. Арсен зэрыжиIэмкIэ, дунейм дахагъэ хэлъэгъуэным ехьэлIауэ Леонардэ да Винчи къигъэсэбэпу щыта Iэмалхэм тетщ. «Дунейм фIыуэ зыщыфплъыхь, фыпкърыплъыхь, абы къыщывгъуэтынущ фи гупсысэм зэи къыхуэмыгъэщIын образ телъыджэхэр», — яжриIэрт Леонардэ и гъэсэнхэм. Сыт хуэдэ гупсысэ-тIэ Арсен дунейм къыпкърихар? — жаIэу щIэупщIэни щыIэщ. Абы и жэуап мы тхыгъэм щеттыну яужь дитынщ. ЩIалэм и IэдакъэщIэкIыу слъэгъуа псоми я лейщ испы цIыкIухэм ятрищIыкIа гуащэ телъыджэхэр. Адыгэхэм яжыIауэ, «къопсэлъэным» хуэдэщи, зэпэпплъыхь пэтми защыбгъэнщIыркъым. Абыхэм сигу къагъэкIыр Нало Заур и «Хьэбалэ и пхъэ гуащэ» новеллэм хэта ефэндымрэ Хьэбалэрэ я зэпсэлъэныгъэрщ. «Ещхьщ Iунэ, ауэ дэндейра ещхьыр? И нитIра? Хьэмэрэ и Iупэра? Е и пэрауэ пIэрэ? — Ефэндым къыхуэубыдыркъым пхъэ гуащэр Iунэ зэрещхь щIыкIэр. — Дауэ мыр? И пэр ещхькъым, и нэр ещхькъым, и Iупэ-жьэпкъыпэри ещхьыщэу жыпIэнкъым. ИтIани, ещхьщ. Тхьэр согъэпэж, ещхьыркъабзэкIэ! Ауэ ещхьыр дэндейми къысхуэгъуэтыркъым. — И псэращ ещхьыр, — жи Хьэбалэ, зэрихабзэжьу псалъэхэр зэпишу». Арсен зэрыцIыкIурэ сурэт ещI, зэрыжиIэмкIэ, абы егъэджакIуэ иIакъым, езым зигъэсэжауэ аращ. — Сурэт щIыным сыщыдихьэхари къысхуэщIэжыркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сурэт щызмыщIа къысхуэгубзыгъыжыркъым. Ар дапщэщи си гъащIэм хэтащ, — жеIэ абы и IэщIагъэм зэрыхуэкIуам теухуауэ ущеупщIкIэ. — УнэтIыныгъэ хэха уимыIэу, лъэныкъуэ куэдым зэрызупщытым гу лъыстащ. Сыт ар къызыхэкIыр? — Пэжщ, си творчествэм жыпхъэ пыухыкIа гуэр иIэкъым. Псалъэм папщIэ, академизмэм жыпхъэ иIэщи, абы утекI хъунукъым, ар сэ къызэзэгъыркъым. Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхум сыт хуэдэ Iуэхум зрипщытми и гупсысэр жыпхъэ пыухыкIа гуэрым иригъэзэгъэну хущIэкъункIэ Iэмал иIэкъым. Гупсысэр тэмэму къэкIуэн папщIэ, шэщIауэ, хуиту убзыхун хуейщ. Армыхъу гупсысэм щыщ гуэр Iэмал имыIэу кIэрыхунущ, ар гупсысэм и купщIэрауи щытынкIэ хъунущи, абы хуэсакъын хуейуэ къысщохъу. — Уи лэжьыгъэхэр дэнэ щыбгъэлъагъуэр? — Курыт еджапIэм сызэрыщIэсрэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм сыхэтащ, щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэд дыдэ сиIэщ. Гъэлъэгъуэныгъэ зыбжанэ Бахъсэнрэ Налшыкрэ щысщIащ. — Сытым утригъэгушхуэрэ уи лэжьыгъэм? — СурэтыщI цIэрыIуэ Шемякин-Къардэн Михаил упщIэ иратати, «Музэ симыIэмэ, сытхэфыркъым жызыIэхэр делэуращ», — жиIауэ щытащ (мэдыхьэшх). Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхухэм я зэфIэкIыр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, я гупсысэкIэри Iуэху бгъэдыхьэкIэри зэтехуэркъым. Си щхьэкIэ сыхуейщ сигурэ си псэрэ езышажьэ. Лэжьыгъэм сыхуэзыгъэушым, си гупсысэ къезыгъэблхэм ящыщщ пасэрей сурэтыщIхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэр, Iуэху еплъыкIэ гъэщIэгъуэн къытхуагъэнахэр. Апхуэдэу зи лэжьыгъэкIэ зызмыгъэнщIхэм ящыщщ Брейгель Питер (нэхъыжьыр), Босх Иероним. Скульпторхэм ящыщу Антокольский Марк, Микеланджелэ Давид сымэ, нэгъуэщIхэри. Сыт и лэныкъуэкIи зэщхь сыхъуну сызыщIэхъуэпс сурэтыщI сиIэкъым. Зи цIэ къисIуахэм псоми я IэдакъэщIэкIхэм сфIэфI, спэгъунэгъу хэтщ, ауэ сэ езым си творческэ гъуэгу сиIэжщи, абы сытетынущ. — Творческэ цIыхум и IэщIагъэр и щхьэр зэригъэфIэж Iуэхуу къэзылъытэ щыIэщ. УэркIэ сыт уи IэщIагъэр? — А псом сегупсысауэ схужыIэнукъым, ауэ сымытхэу, сурэт сымыщIу схуэшэчынукъым. Адрей гупсысэ псори гуэдзэну аркъудейщ. Пэжщ, си лэжьыгъэхэм гупсэхугъуэ къыщызат щыIэщ, а щытыкIэ телъыджэр арагъэнщ дэтхэнэ творческэ цIыхури къезыхуэкIыр. Сэ гу лъыстащ цIыху гумызагъэм къехъулIэм нэхърэ къемыхъулIэр дапщэщи зэрынэхъыбэм. — Таурыхъ лъахэм къикIа хуэдэ, уи гуащэ сурэтхэр гъэщIэгъуэн сщыхъуащ. Я сюжеткIэ ахэр зэщхьщи, таурыхъ тепхыну бгъэхьэзыру гугъэ уагъэщI. — Пэжыр жыпIэмэ, ар си хъуэпсапIэщ, къызэхъулIэмэ, арэзы сыхъунут. Ауэ зэкIэ а мурадым сыхуэкIуэу аркъудейщ. Гъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэпеуэ куэдым сыхэтащ. Къыхэзгъэщынут а зи гугъу пщIы лэжьыгъэхэр зыми зэрытезмыщIыкIар. А образхэр сэ къэзгупсысри, сщIауэ аращ. Къезгъэжьар зищIысыр къызгурымыIуэу, ауэ сылэжьэну сы- хуейуэ, сурэт щIын щIэздзэурэ а таурыхъ лIыхъужь цIыкIухэр къыхэкIащ. Лэжьыгъэ хьэзыру сиIэм нэхърэ къезгъажьэу хыфIэздзэжар куэдкIэ нэхъыбэщ. Сэ сымыарэзыуэ зыри дунейм къысхутегъэхьэнукъым, сыт хуэдиз зэманрэ къарурэ абы езмыгъэхьми, лэжьыгъэр си гум зэрилъым нэзгъэсын хуейщ. — Грозный Иванрэ Мариерэ я теплъэр уэ къэбгупсыса хьэмэрэ ари зыгуэрым тепщIыкIа? Псом хуэмыдэу сфIэгъэщIэгъуэн хъуар Марие и теплъэращ. Ар нэхъ ипэкIэ слъэгъуахэм къащхьэщокI. — Мыбыхэм я теплъэр зэфIэзгъэувэн папщIэ дэфтэр куэд дыдэ щIэзджыкIащ. Марие и сурэту зы закъуэ фIэкIа къызэрымынам Iуэхур гугъу ищIырт. Абы къыхэкIыу сэ сыхущIэкъуащ Марие и теплъэу ятхыжахэм нэхъ пэгъунэгъуу сщIыну. Сызэджахэм си щхьэм щызэфIагъэува теплъэрщ нобэ флъагъур. Ауэ, Грозный Иван зэрыс шэнтжьейр къэзгупсысакъым, Москва Iэщэ (Оружейнэ) палатэм щIэтым тесщIыкIыжауэ аращ. — Арсен, зэман гъунэгъум выставкэ пщIыну уи мурад? — Пэжыр жыпIэмэ, сыхуейт, ауэ сыхуэхьэзыркъым. Абы нэхъ плъапIэ симыIэу сыщыткъым, солажьэ, къызэхъулIэр зызогъэтIылъэкIри, сызыхуэарэзыхэм я бжыгъэр ирикъуауэ къыщысщыхъум деж згъэлъэгъуэнущ. Ди сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я гъусэу гъэлъэгъуэныгъэ сщIыну, ахэр нэхъыбэу, нэхъыфIу къэсцIыхуну сыхуейт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ дызэрыцIыхуну Iэмал диIэкъым. Моуэ дыщызэхуэсын, дыщызэпсэлъэн, дыщызэчэнджэщын щIыпIэ диIэну сыщIохъуэпс. Ар ди зыужьыныгъэм хуэщхьэпэну къысщохъу. — Уи мурадхэм дыщыбгъэгъуэзэн? — Мы зэманкIэ испы цIыкIухэм солэжь. ЗэкIэлъхьэпыту зы гуп сщIыну сыхуейщ, ауэ сщIынум и бжыгъэр жысIэфынукъым. Сурэт щIыным нэхъыбэу селэжьыну си мурадщ. — Къыхэпха IэщIагъэр тыншу къыпщыхъурэ? — Тыншкъым, ауэ абы и IэфIагъри гугъу зэрызыдебгъэхьым елъытащ. Дэтхэнэми зэфIэкI иIэу дунейм къытехьэр пэжу къыщIэкIынущ, ауэ абы игъуэтыну зыужьыныгъэр цIыхум а IэщIагъэм зэрызригъэлIалIэм куэдкIэ елъытащ. Творческэ IэщIагъэм гурыфIыгъуэ хэплъэгъуэн папщIэ, уи псэри уи къарури хэплъхьэн хуейщ. Лэжьыгъэр сызэрыхуейм хуэдэу хъуамэ, гугъу сызэрыдехьар сщогъупщэж. — Уи IэдакъэщIэкIхэм лъэпкъ нэщэнэ яхэлъщ. УэркIэ уадыгэныр сыт? — Шэч хэмылъу, срогушхуэ сызэрыадыгэм, ауэ езыгъэлейхэм сащыщкъым. Адыгэхэр лъэпкъ щхьэхуэ зэрыхъурэ псы куэд ежэхащ, ауэ нобэми уадыгэнумэ, Iэмалыр гъунэжщ. Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101557.txt" }
Коларуссо Джон Адыгэ университетым и студентхэм яIуощIэ Мейкъуапэ дэт Адыгэ къэрал университетым хэт Дунейпсо щIэныгъэ-къэпщытакIуэ центрым мы махуэхэм онлайн IэмалкIэ зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ, политикэмрэ жылагъуэ Iуэхумрэ пщIэшхуэ щызиIэ цIыху щэджащэхэм. Япэрей лекцэм къеджар куэд щIауэ адыгэбзэр зыдж, дунейм щыцIэрыIуэ бзэ щIэныгъэлI, Канадэм щыIэ Макмастер университетым и профессор, США-м и президенту щыта Клинтон Билл Кавказым епха IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъу Коларуссо Джонщ. ЩIэныгъэм епха псалъэмакъым хэпщIа хъуащ Адыгэ Республикэм, Урысейм, Тыркум, Иорданием, США-м, «Экономикэм и еджапIэ нэхъыщхьэ» щIэныгъэ-къэхутакIуэ университетым хыхьэ, Щхьэ куцIымрэ бзэмрэ я центрым щылажьэ щIэныгъэлIхэр. Лекцэм едэIуахэщ АГУ-м, КъБКъУ-м, Кубань, Саратов къэрал университетхэм я студентхэр, Ломоносовым и цIэр зезыхьэ Мэзкуу университетым тхыдэмкIэ и магистратурэм щIэсхэр, Тыркум щыщ Дюзджэ къалэм дэт университетым тхыдэм, хэхэс гъащIэмрэ щIыпIэхъуэжымрэ елэжьу Токио дэт лабораторэм и еджакIуэхэр, хамэ къэрал къэхутэныгъэхэм елэжь университетым щеджэхэр. ЗэIущIэр махуитIкIэ екIуэкIащ. Псалъэмакъыр зытеухуауэ щытар адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмрэщ. ЩэкIуэгъуэм и 11-м утыку кърахьащ «Пасэрей КъухьэпIэ Кавказыбзэр. Пасэрей индоевропеибзэр. КъежьапIэмрэ лъабжьэмрэ (Proto-North West Caucasian/Proto-Indo-European. Sources and origin) зи псалъащхьэ лекцэр. ЩэкIуэгъуэм и 12-м зэхаубла псалъэмакъыр нартхэм ятеухуат: «Нарт эпосыр адыгэхэм я щэнхабзэм и IункIыбзэщ» (The Nart Sagas as a cultural code of the Adyghe people). Лэжьыгъэр къызэзыгъэпэща Мэчэр Сусаннэ я мурадыр къазэрехъулIам топсэлъыхьыж: «ЗэIущIэр жьы щIэту екIуэкIащ. И жыпхъэкIэ ар ещхьт щIэныгъэлIхэр студент гупым щадэуэршэр зэхыхьэм. Мы Iуэхум мурад нэхъыщхьэу иIэр студентхэр щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм тегъэгушхуэн, хэпщIа хъунырщ. Ущием я нэхъыфIыр щапхъэрауэ зэрыщытыр хэти ещIэ, гъуазэ пхуэхъури тхыдэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI ЦIыхурщ. Абы къыхэкIыу, дызыдэплъейри лэжьыгъэмрэ гъащIэмрэ я пIалъэ зыщIэ, псалъэм папщIэ, Коларуссо Джон хуэдэу гулъытэ зэзышалIэ IэщIагъэлI гъэщIэгъуэнхэрщ. Ди егъэблагъэ тхылъым фIыщIэкIэ къыщыпэджэжым абы къытхуитхащ адыгэбзэм зыщIиша адыгэхэм я щIэныгъэ щIэинымрэ Нарт эпосым къыхэщ лIыхъужь образхэмрэ я философиемрэ иджыным и гъащIэр зэрыхуигъэфэщар. «А щIэныгъэлI щэджащэм и цIыху щIыкIэм ситхьэкъуауэ сыкъыхэкIыжащ зэIущIэм», — жеIэж конференцым хэлэжьыхьа псори зэпызыщIа журналист Панеш Саидэ. Зи гугъу тщIы лекцэхэри абы ихъуреягъкIэ ежьа адрей лэжьыгъэхэри щызэфIахар Адыгэ университетым инджылызыбзэмкIэ и факультетырщ, абы и лэжьакIуэхэри Iуэхум хэпщIауэ. КъинэмыщIауэ, конференцым и лэжьыгъэм жыджэру хэуващ Адыгэ Республикэм ис IуэрыIуатэджхэр, Кавказым щыщ адрей щIыналъэхэм щыщ щIэныгъэлIхэр. Пасэрей кавказыбзэхэм я гугъу щыпщIкIэ, Iэмал уогъуэт щэнхабзэ, бзэ зэмылIэужьыгъуэкIэ псалъэхэм я зэхуаку лъэмыж щызэпрыпшыну. ЗэIущIэм зигу хигъэхъуар щIэныгъэлIхэм я закъуэкъым. Хамэ къэралыбзэхэр щадж факультетым и студентхэм бзэ щIэныгъэлI цIэрыIуэм и гъащIэ гъуэгум ириплъэну, я упщIэхэм жэуап убгъуа езы профессорым къыбгъэдахыну Iэмал яIащ. Уэ пIурылъ анэдэлъхубзэм и къежьапIэ жыжьэм апхуэдэ цIыху къыщыпхутепсэлъыхькIэ, гъащIэр зэрыщыту лъэныкъуэ гуэркIэ зыунэтI щхьэусыгъуэхэр гъуэгу къытоувэ. Абы нос бзэм и зэфIэкIыр. «Дэнэ Прометей (Нэсрэн ЖьакIэ — ред. ) зыщыщыр?» — иратащ профессор Коларуссо упщIэ. «Шэч хэлъкъым, — Кавказым», — къажриIащ щIэныгъэлIым. ЕтIуанэ упщIэр Нарт эпосыр зеинкIэ хъуну лъэпкъхэм ятеухуат. Ар Кавказ лъэпкъ зыбжанэм зэIэпахыр пэжми, япэ ирагъэщыр адыгэ-абхъаз IуэрыIуатэрауэ къыщIэкIащ. «Мыхьэнэ зиIэр Нарт эпосым Кавказыр зэрыщыту зэрызэпищIэрщ, щIыналъэхэм я зэхуаку гъунапкъэ къызэримыгъанэрщ», — аращ зэхуэзахэр зэакъылэгъуу зыхуэкIуа гупсысэр. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэIущIэр къайхъулIауэ къалъытэ. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101561.txt" }
Дыщэ статуэткэр къыхуагъэфащэ Художник икIи скульптор цIэрыIуэ, Урысейм и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ республикэхэм я цIыхубэ сурэтыщI, Франджым гъуазджэхэмкIэ и лIыхъужьым и орденым и кавалер Шемякин-Къардэн Михаил къыхуагъэфэщащ «Ирида» киносаугъэтымрэ дунейпсо кинофестивалымрэ я дыщэ статуэткэр, гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къалъытэри. Къыхэгъэщыпхъэщ лэжьыгъэ щIэщыгъуэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтыщI Iэзэ Шемякин-Къардэн Михаил Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыщыр. Художникыр кинофестивалым щагъэлъэгъуа «Высоцкий. Одесская тетрадь» документальнэ фильмым щытопсэлъыхь уэрэджыIакIуэ Высоцкий Владимир игъэныбжьэгъуу зэрыщытам. «Ирида» дунейпсо кинопроектыр 2016 гъэм къыхилъхьащ Бэлагъы-Къандур Любэ. А зэхыхьэшхуэр илъэсым тIэу Сочэрэ Лондонрэ щрагъэкIуэкI. Ди лъахэгъу сурэтыщIым къыдэкIуэу «Ирида» дыщэ статуэткэр хуагъэфэщащ британ актрисэ Барбер Фрэнсис. Шемякин-Къардэн Михаил Москва къыщалъхуащ. И адэ-анэм я гъусэу иужькIэ ар Германием Iэпхъуами, абы и Хэкуу Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрилъытэр дуней псом и дэнэ утыкуи щыжеIэ, и лъэпкъым и пщIэр иIэту. Шемякиныр иджыпсту Франджым щыпсэуми, ди республикэм щIэх-щIэхыурэ къоблэгъэж, и лэжьыгъэхэр щегъэлъагъуэ, къызыхэкIар, зыщыщыр зыщимыгъэгъупщэу. КъищынэмыщIауэ, республикэм и сурэтыщI ныбжьыщIэхэр Франджым щрегъаджэ. «Воображаемый музей» Iуэхум хыхьэу Шемякиным республикэм щригъэкIуэкIа, сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм щытекIуахэм Iэмал яIащ Франджым кIуэуэ Шемякиным и деж гъуазджэм, дуней псом щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм щыхуеджэну, и мастер-классхэм хэтыну. — Къэбэрдей-Балъкъэрыр си Хэкуу къызолъытэ. ЩIыпIэ телъыджэм си гуапэу сыщохьэщIэ, сурэтыщI ныбжьыщIэхэм сфIэфIу садолажьэ. Щэнхабзэм, гъуазджэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэтщIыну ди къалэнщ. Хамэ къэралхэм Кавказым щыпсэухэр я нэгу къызэрыщIыхьэр щIэпхъаджащIэущ, ар ятеIукIащи. Щэнхабзэ гъуэзэджэр цIыху зэчиифIэхэм я лъахэу зэрыщытыр къацIыхуну сыхуейщ, — жеIэ Шемякиным. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101564.txt" }
УнафэщI щэджащэ Мэлбахъуэ Тимборэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал, жылагъуэ-политикэ лэжьакIуэ Мэлбахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэр къызэралъхурэ илъэси 104-рэ ирокъу. Бжьыхьэ махуэ уфащ ар дунейм къыщытехьар. Мэртэзей къыщалъхуа щIалэ цIыкIум и натIэм итт илъэсипщI бжыгъэкIэ республикэр зыхуей хуигъэзэну. Мэлбахъуэр ящыгъупщакъым иджырей щIэблэми: абы и цIэр фIащащ ди къалащхьэм и уэрам нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ зым, республикэм и Лъэпкъ библиотекэм, Правительствэм и Унэм деж и фэеплъ щагъэуващ. Мы тхыгъэм иужь дыщIихьар акъыл жану, республикэм и зыужьыныгъэр наIуэу зылъагъуу щыта унафэщI щыпкъэр цIыхухэм ягу къэдгъэкIыжын папщIэщ. Лъагэт Мэлбахъуэм и Iулыджыр, къыхуащI пщIэри, и Iулыджым и къарури и лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпыфырти, сыт хуэдэ Iуэхури иризэфIихыфырт. ЩIэныгъэкIэ, ерыщагъкIэ, жыжьэрыплъэу зэрыщытымкIэ и къулыкъум и пщIэр егъэлеяуэ иIэтырти, и лэжьэгъу псори сыт и лъэныкъуэкIи зыдэплъей цIыхуу дунейм тетт. Зыхалъхуа лъэхъэнэм елъытауэ, Тимборэ и сабиигъуэр тыншу щытакъым. ЩIалэ цIыкIур сабий унэм щыIащ, адэкIэ Мэртэзей гъущI гъуэгу станцым къыщызэIуаха Джылахъстэней щIыналъэ мэкъумэш школым щеджащ, 1931 гъэм щIэтIысхьэри, агромелиорацэмкIэ техникумыр къиухащ. А зэманым ди щIыналъэм лъэпкъым къыхэкIа IэщIагъэлIхэр икъукIэ и мащIэти, еджэным хуэIэижь икIи акъыл жан зыбгъэдэлъ щIалэм псынщIэу гу лъатэ икIи ар мелиорацэмкIэ инженерхэр щагъэхьэзыру Новочеркасск дэт институтым ягъакIуэ. Ауэ а еджапIэм Тимборэ зэрыщIэсар зы илъэсщ, Орджоникидзе къалэм бгырысхэм я бынхэм папщIэ щыIэ мэкъумэш институтым 1935 гъэм зыкъригъэдзыжри, щIэныгъэ нэхъыщхьэр абы щызригъэгъуэтащ. Абы щыхуэзащ и гъащIэ псор зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зыдихьа и щхьэгъусэ Степановэ Нини. Хэку зауэшхуэм хэта ветеранхэр егъэлъапIэ. 1980 гъэ КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретархэу Мэлбахъуэ Тимборэрэ Кульбаев Мухьэжыррэ я гъусэщ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Пащты Сэлимэрэ Гундэлэн щызэхэт колхозым и унафэщI Мусукаевэ Шамсарэ. 1976 гъэ Налшык щохьэщIэ Совет Союзым и Маршал Жуков Георгий. 1962 гъэ Еджэныр къиуха нэужь, агроном нэхъыжьым и къулыкъур абы къыщратащ Шэшэн-Ингуш Республикэм щыIэ машинэ-трактор станцхэм ящыщ зым, ауэ мазэ бжыгъэ фIэкIа дэмыкIыу драгъэкIуейри, а МТС дыдэм и унафэщI ящIащ. АрщхьэкIэ Совет Армэм ираджащ, кIэщI дыдэуи зауэр къэхъейри, фронтым яшащ. Илъэс ныкъуэ докIри, Брянск фронтым уэгу кIэлъыплъыныгъэмкIэ и 11-нэ батальон хэхам и политрукым и къуэдзэ ящI. Апхуэдэурэ зы фронтым икIым, нэгъуэщI фронт Iуагъэхьэу, уIэгъэ ящIмэ, госпиталым щIэхуэу, къыщIэкIыжрэ фронтым Iухьэжу 1946 гъэ пщIондэ зауэ губгъуэм итащ. 1942 гъэм абы къратащ «ЩIыхьым папщIэ» дамыгъэр, 1943 гъэм — «Вагъуэ Плъыжьым» и орденыр, 1944 гъэм — Хэку зауэ орденым и II нагъыщэр, 1985 гъэм Хэку зауэ орденым и I нагъыщэр къыхуагъэфэщащ. Зауэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыщигъэлъагъуэу хэтами, зауэ Iуэхутэкъым Мэлбахъуэ Тимборэ къызыхуигъэщIар. Абы къызэригъэзэжу партым и обкомым кIуащ. Зауэ нэужь лъэхъэнэти, лэжьакIуэхэр яхурикъуртэкъым. ЯпэщIыкIэ Мэлбахъуэр партым и обкомым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ ящIащ. Ауэ мазэ бжыгъэ фIэкIа дэмыкIыу, 1946 гъэм и дыгъэгъазэм, ар партым и Куба райкомым япэ секретару ягъэкIуащ. ЩIыр зехьэн хуейт, ауэ ар зэравэни, трапхъэн жыли яIэтэкъым. ПхъэIэщэм жэмхэр щIащIэрт, цIыхубзхэр белкIэ тIэрт. Илъэс нэхъ хьэлъэ дыдэхэм къуажэдэсхэм гуауэри гугъуехьри ядигуэшу, тригъэгушхуэу, лэжьыгъэм хузэщIиIэтэу яхэтащ Мэлбахъуэр. Абы и зэфIэкIыр зэрыиным мыбдежи гу щылъамытэу къэнакъым. 1949 гъэм ар партым и обкомым и секретару Налшык къашэжащ, мазэ зыбжанэ дэкIри, нэхъри драгъэкIуэтеящ — етIуанэ секретару хахащ. Лэжьыгъэм къыдэкIуэу, ар сытым дежи хуэпабгъэрт и щIэныгъэм хигъэхъуэну. Абы къыхэкIыу, 1953 гъэм парт, совет лэжьакIуэхэр щагъэхьэзыру КПСС-м и ЦК-м деж щыIэ курсыр, иужькIэ Парт школ нэхъыщхьэр къеух. МащIэщ зыщIэр абы бгъэдэлъа академическэ щIэныгъэм и куууагъыр. Ар къызыхэкIри еджапIэ лъэрызехьэхэр къызэриухаратэкъым, атIэ сытым дежи фIэфIт имыщIэр зригъэщIэну, куэд еджэну. Тхылъ куэд къыщIэнащ абы, и библиотекэм щыбгъуэтынут гъащIэм и лъэныкъуэ псоми теухуа тхылъ уасэншэхэр. 1952 — 1956 гъэхэм Мэлбахъуэ Тимборэ Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIу щытащ. АдэкIэ, 1956 гъэм и кIэухым щегъэжьауэ 1985 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм нэсыху, абы екIуу зэрихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къулыкъур. Совет лъэхъэнэм обком щхьэхуэм и япэ секретару апхуэдиз зэманкIэ лэжьэфа нэгъуэщI зыри щыIэкъым. А илъэсхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэми хамэ хэгъэгухэм исхэми Мэлбахъуэр къацIыхуащ къызэрымыкIуэ гупсысэкIэрэ акъыл гъэтIысарэ зэриIэмкIэ, егъэлеяуэ Iуэхум егугъуныр и хьэлым зэрыхэлъымкIэ. Республикэр абы и унафэ щыщIэта гъэхэм зиужьырт, промышленность, мэкъумэш IэнатIэ, ухуэныгъэ, узыншагъэр хъумэн, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, курорт, физкультурэмрэ спортымрэ, туризм, альпинизм IэнатIэхэм ехъулIэныгъэшхуэхэр щызыIэрагъэхьэу. Абы и цIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ республикэм къыхуагъэфэща къэрал дамыгъэ лъапIэхэр — Ленин орденыр, Октябрь Революцэ орденыр, Лъэпкъхэм я Зэныбжьэгъугъэ орденыр. А тыгъэ лъапIэхэр аргуэру зэ щыхьэт тохъуэ Мэлбахъуэ Тимборэ къызэгъэпэщакIуэу, унафэщI гъуэзэджэу зэрыщытам, щалъхуа щIыналъэм и сэбэп зыхэлъхэм и къару емыблэжу зэрытелэжьам. Апхуэдэ лэжьыгъэшхуэм Хэкуми гулъытэшхуэ къыхуищIащ. Мэлбахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэм къыхуагъэфэщащ Ленин ордену плIы, ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр, СССР-м и орден, медаль зыбжанэ. Ар СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм я депутату, КПСС-м и ЦК-м хэтхэм я кандидату куэдрэ хахащ, КПСС-м и XXI — XXVI съездхэм я лIыкIуэу щыIащ. Мэлбахъуэм и тетыгъуэ илъэсхэм ди экономикэм щIэгъэхуэбжьауэ зиужьащ, промышленностым и IэнатIэщIэхэр зэтеуващ. Зи гугъу тщIы илъэс щэщIым нэблагъэм къриубыдэу ящIри, лажьэу яутIыпщащ зи продукцэм къэралми нэгъуэщI щIыналъэ жыжьэхэми щIэупщIэшхуэ щызиIэ предприятэ инхэр: «Севкавэлектроприбор», «Къэбэрдей-Балъкъэр налмэс Iэмэпсымэ», «Телемеханика», «Искож», «Телеавтоматика», «Электровакуум», «Кавказкабель», полупроводник Iэмэпсымэ, вольт лъахъшэ Iэмэпсымэ, вольт лъагэ Iэмэпсымэ, «Лимб», бахъсэн «Автозапчасть», майскэ «Севкаврентген», электровакуум заводхэр, щэкI щызэIуащэ комбинатыр, Налшыкрэ Прохладнэрэ я дэрбзэр фабрикэхэр. Нэхъ япэкIэ ящIауэ щыта Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым, унэлъащIэ фабрикэм, гидрометаллургие заводым, IэфIыкIэ фабрикэм, лы комбинатым я зэфIэкIым нэрылъагъуу хагъэхъуащ. Республикэм щызэфIэуващ егъэджэныгъэр, щIэныгъэр. Иджыпсту республикэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я нэхъыбапIэр къызэIуегъэхыным Мэлбахъуэ Тимборэ жыджэру хэлэжьыхьащ. Абыхэм ящыщщ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтыр, Къурш геофизикэ институтыр, къэрал мэкъумэш университетыр, ГъуазджэхэмкIэ институтыр, нэгъуэщIхэри. А Iуэхум ерыщагъи, зэрыжаIэу, бзаджагъэ гуэри хэлъхьэн хуей щыхъуи щыIэт. Къапщтэмэ, КПСС-м и ЦК-м зэгуэрым къилъытауэ щытащ къэралыр еджапIэ нэхъыщхьэхэмкIэ ирикъуу къызэгъэпэщауэ икIи абыхэм я бжыгъэм адэкIэ щыхэбгъэхъуэн щымыIэу. ГъуазджэхэмкIэ институтымрэ мэкъумэш академиемрэ къызэрагъэпэщыну мурад щащIар а лъэхъэнэм хуэзат. Абы къыхэкIыу япэрейр нэгъуэщI щIыналъэхэм ящыщ зым и къудамэу тхылъкIэ пхагъэкIын яхузэфIэкIауэ аращ. Мэкъумэш академием и Iуэхур нэхъ гугъут. Апхуэдэу бзаджагъэ хилъхьэу яфIиухуащ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэр, «Сосрыкъуэ», «Бочка» шхапIэхэр. Мэкъумэш IэнатIэр псом япэ иригъэщырт Мэлбахъуэм жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Къуажэм къыщалъхуа, агроном IэщIагъэр зэзыгъэгъуэта щIалэм ар зэи IэщIыб ищIакъым, губгъуэхэр, фермэхэр къызэхижыхьырт. Япэ илъэси 10 — 12-м къуажэхэм я теплъэм зригъэхъуэжат: псы зэрыкIуэ бжьамийхэр дригъэлъхьат, электрокъарур яхудишат, радиор жылэ псоми нэсат; дэни курыт еджапIэхэр, сабий IыгъыпIэхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэхэр, клубхэр, сымаджэщхэр, амбулаторэхэр дащIыхьат. Колхозхэмрэ совхозхэмрэ къагъэсэбэп техникэхэмкIэ къызэгъэпэща хъуат, фермэ лъэрызехьэхэр зэфIагъэуват. ЖыпIэнуракъэ, щIым хъеру къыпэкIуэр куэдкIэ бэгъуат. А илъэсхэм республикэм къэралым ирищат гуэдз тонн мелуан ныкъуэ, лы тонн мин 50, шэ, кIэртIоф куэду. Езыр экономикэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыхути, псори зэпилъытыфырт, ипэкIэ плъэрт. УнафэщIу зэрыщыта илъэс 30-м щIым гъавэу къитыр игъэбэгъуат. Есэпым апхуэдизкIэ хуэIэзэт, зэхилъхьэмрэ зэхихымрэ телъыджэу зэпилъытыфырти, абы къыщIидзыну зыхуигъэфащэр нахуапIэ хъурт. Жыжьаплъэу илъагъурт лэжьыгъэм емыгугъухэри. Ари яхуигъэгъуртэкъым, пленумхэм къыщыщыпсалъэм деж жьэнахуэу яжриIэрт хэт сыт хуэдэ ныкъусаныгъэ ищIами, хэт сыт хуэдэ щыщIэныгъэ дилъэгъуами. Апхуэдэ унафэщIхэм гущIэгъу яхуищIыртэкъым, ауэ IуигъэкIын и пэ къихуэу куэдрэ набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъырт. Апхуэдабзэу лэжьыгъэм, IэнатIэм гурэ псэкIэ пэрыт цIыхухэр къицIыхурт икIи пщIэшхуэ яхуищIырт. Псоми ящIэ Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьхэу Iулыдж лъагэ зиIэ Тэрчокъуэ Къамболэт, Евтушенкэ Николай, Атэбий Мыхьэмэт, Бгъэжьнокъуэ Хьэчим сымэ ар зэрахущытар, абыхэм я IуэхущIафэхэр псоми щапхъэу къахуихьу къызэрекIуэкIар. Тимборэ апхуэдизкIэ Iущт, куэд еджэрт, зригъащIэрти, зэхуэдэ дыдэу экономикэми, щIэныгъэми, щэнхабзэми, политикэми къыпхутепсэлъыхьынут. Абы зэIущIэхэм къыщипсэлъынум я нэхъыбэр езырат зытхыжыр. НэгъуэщIым хуитхаIамэ, Iэмал имыIэу зэригъэзэхуэжынут, творческэ бгъэдыхьэкIэ иIэт. Абы и нэIэ щIэт лэжьакIуэхэр къызэрыхихыр зы Iэмалт — и IэщIагъэм зэрыхуэIэзэм къыдэкIуэу езыри цIыху пэжу щытын хуейт. Тимборэ и Хэку цIыкIур егъэлеяуэ фIыуэ илъагъурт. Абы щыхьэт техъуэ зы дэфтэри ухуейкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хэкулIым и гъащIэм хэта дэтхэнэ зы махуэри зыхуигъэпсар Хэкум хуэлэжьэнырщ. Абы фIыуэ къыгурыIуэрт езым и нэIэ щIэту гъэса, еджа хъуа цIыхум унафэщI ахъырзэман къызэрыхэкIынур. Абы щыгъуэми Iэрыхуэу зэхуигъэхъуфырт къалэнитI, IэщIагъэлIыр Iэзэу икIи республикэм ис лъэпкъитIыр къэлъытауэ къыхихын хуейт, зыр адрейм зэран хуэхъу хъунутэкъым. Ауэ ари зэпилъытыфырт унафэщI губзыгъэм. Зэпэшэчауэ зэрыгупсысэм, зэрыбакъуэм я фIыгъэкIэ лъэпкъ нэхъыщхьитIым щыщ IэщIагъэлI нэхъыфIхэр зэхуэдэу къулыкъухэм пэригъэуващ, абыхэм къадэкIуэу ди лъахэм щыпсэу осетинхэми, журтхэми, тыркухэми, украинхэми гулъытэ яхуищIырти, щхьэж къыщысэбэпыныр ищIэу игъакIуэрт. Парт лэжьакIуэхэм я Iуэхур щхьэхуэт, ахэр езыхэм ягъэувыжу арат. Ауэ абыхэм я зы щыщIэныгъи Iэпэдэгъэлэл ищIынутэкъым Мэлбахъуэм — дэтхэнэми ткIийуэ унафэ хуищIынут, зэрымыарэзыр жриIэфынут. Езыр зэи зыщысхьыжыртэкъым ар. И къаруи щIэныгъи хилъхьэрт партым хэкур зыхуишэ псэукIэ дахэм. Апхуэдэу IэнатIэм пэрытынт сытым дежи къилъыхъуэр. Арагъэнщ ар унафэщIу щыщыта лъэхъэнэм зи зэфIэкIкIэ цIэрыIуэ хъуа куэд ди республикэм щIыщылэжьар. Ахэр нобэ къыхэнащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм, я щIыхьыр инрэ я цIэр мыкIуэдыжу. Тимборэ хуэдэ цIыху акъылыфIэт илъэс 30-кIэ республикэ псор зыхузехьэнур. Абы лъэпкъ куэд зэрыщыпсэум и закъуэтэкъым гугъуу хэлъыр, атIэ апхуэдиз цIыхур, къыпхуэмыарэзыхэри яхэту, унэтIынырт. Ар зыхузэфIэкIынур абы и акъылым хуэдэу псынщIэу лажьэ, жан зиIэт. Абы ерыщу зыужьыныгъэм хуишэрт ди лъахэр махуэ къэс зызыхъуэж политикэми Центрым къащищI къалэнышхуэхэми зыкIи къамылъахъэу. Мэлбахъуэр Iущу бгъэдыхьащ и Iуэхуми къулыкъуми. Центрым зэи пэщIэувэртэкъым, унафэу къыхуащIыр и лъахэгъухэм яфI зыхэлъ IуэхуфIу гъащIэм хипщэрт. Ар сытым дежи шу пашэу щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм, цIыхубэм я дежкIэ. И пщэ дэлъа къалэн псори игъэзэщIащ Тимборэ, абы хиша лъагъуэм иджыри куэдрэ ирикIуэнущ ди лъахэр. Мэлбахъуэ Тимборэ илъэс 68-рэ и ныбжьу 1985 гъэм и жэпуэгъуэ мазэу пенсэм кIуащ. А махуэм екIуэкIа пленумым абы щыжиIауэ щытащ республикэм и жылагъуэ-политикэ гъащIэм хэIэбэну, властым пэрытхэм я лэжьыгъэм теIэзэщIыхьыну зэримымурадыр. ИкIи а жиIам сыт щыгъуи ткIийуэ тетащ. И къулыкъум текIа нэужь, ар утыкум зэ къихьэжауэ аращ. 90 гъэхэм я пэщIэдзэм екIуэкIа зэпэщIэувэныгъэм игъэпIейтейуэ, цIыху миным щIигъу зыхэта зэIущIэм я пащхьэ къиувауэ щытащ а лIы губзыгъэр. Абы щыгъуэм къипсэлъар псалъафэу ирахьэжьат етIуанэ махуэм. Апхуэдэт Мэлбахъуэр: куэд жиIэртэкъым, щэхуу псалъэрт, ауэ псоми зэхахырт икIи къагурыIуэрт. Мэлбахъуэ Тимборэ лъэужь дахэ къигъэнащ. Ноби хэкум, лъэпкъым, къэралым гу къабзэкIэ узэрыхуэлэжьэным и щапхъэщ ар. Кебеков Владимир, КъБР-м и Парламентым и депутат, Къудей Владимир, публицист.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101566.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгуи 170-рэ щызэрагъэпэщыжащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Урысейм и вице-премьер Хуснуллин Марат. Видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и Унафэ-щIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэедрэ КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэнрэ. ЗэIущIэм щыхэплъэжащ «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр гъэзэщIа зэрыхъум, абы кърикIуэ-хэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къалъытащ гъуэгухэр щIынымкIэ, сэкъат зыгъуэтахэр зэгъэпэщыжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIхэм. Дызэрыт илъэсым лъэпкъ проектым хыхьэу зыхуей хуагъэзэнущ щIыналъэхэр, республикэм и жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгу километри 116-рэ. Апхуэдэуи гъуэгухэм шынагъуэншэу ущызекIуэн папщIэ зыхуэфащэ лэжьыгъэхэри зэфIагъэкIынущ. Километр 37-м гъуэгухэр къызэрагъэнэху Iэмэпсымэхэр, километрищ хуэдизым къэухьхэр щагъэувынущ, лъэс зэпрыкIыпIи 116-р лъэпкъ мардэщIэхэм тету, Т-7 светофорхэр фIэлъу ящIынущ. А лэжьыгъэхэм трагъэкIуэдэну яубзыхуащ сом мелард 1,9-рэ, абы щыщу мелуан 432-р къэрал бюджетым, мелард 1,4-р щIыналъэ, мелуан 48-р щIыпIэ бюджетхэм къыхэкIыу. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. и жэрдэмкIэ дызэрыт илъэсым къэрал бюджетым къыхэкIыу тIэунейрэ къыхущIагъуащ а лэжьыгъэхэм трагъэкIуэдэну мылъку, абы и фIыгъэкIэ яхузэфIэкIащ иджыри гъуэгущIэ зыбжанэм елэжьыныр программэм хагъэхьэжыну. Мы гъэм зэфIагъэкIын хуейуэ программэм хагъэхьауэ щыта лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэблэгъащ. Зэрагъэпэщыж гъуэгуи 183-м щыщу лэ-жьыгъэхэр 170-м щызэфIэкIыпащ. Адрей къэнахэм щрагъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэхэм я процент 92-ри зэфIагъэкIащ, мылъкум и процент 96,5-р къагъэсэбэпакIэщ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101572.txt" }
Хьэрхуэрэгъур щIегъуэжа е шынэжа? ЩэкIуэгъуэм и 20-м Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Лас-Вегас къалэм щызэхэтыну траухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Мырзэкъан Азэмэтрэ («Профессионал» цIэ лейр зыфIащар) Польшэм и лIыкIуэ Прачнио Марчинрэ я зэIущIэр, ауэ ар екIуэкIынукъым. Щхьэусыгъуэр — адыгэ щIалэм и хьэрхуэрэгъум идэжакъым абы и гъусэу рингым къихьэн. ЩIегъуэжа е шынэжа — ар зыщIэр езыращ. ММА зэхьэзэхуэшхуэм хыхьэу Мырзэкъаным иджы япэу зэIущIэ щригъэкIуэкIынур дыгъэгъазэм и пэщIэдзэхэрщ. UFC on ESPN 31 зэпеуэу Мырзэкъаныр япэу утыку къыщихьэнур Лас-Вегас дыгъэгъазэм и 4-м зэхэтынущ. «Профессионал»-м хьэрхуэрэгъу къыхуэхъунущ зэIущIэ куэд езыгъэкIуэкIа, Бразилием щыщ зэуакIуэ Линс Фили- пе. Абы зэпэщIэтыныгъэ 14-м бжьыпэр щиубыдащ, 5-м къыщыхагъэщIащ. Езы Мырзэкъаным октагоным зэIущIи 10 щригъэкIуэкIати, псоми щытекIуащ, абыхэм ящыщу 7-р нокауткIэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Dana White’s Contender Series зэхьэзэхуэу фокIадэм и пэщIэдзэхэм екIуэкIам и япэ раундым Мырзэкъаным техническэ нокауткIэ хигъэщIащ Бразилием щыщ Шеффил Матеус икIи абы ипкъ иткIэ UFC-м илъэсиплIкIэ зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ. Мырзэкъан Азэмэт IэпщэрызауэмкIэ плIэнейрэ дунейпсо чемпионщ. ЖЫЛАСЭ Замир.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101575.txt" }
Журналист ныбжьыщIэхэр ягъэпажэ Бахъсэн къалэм «Мамырыгъэмрэ щэнхабзэмрэ я парк» къызэрыщызэIуахым ирихьэлIэу, «Баксан» газетым хэIущIыIу ищIауэ щытащ къалэм и гъащIэр къызыхэщ тхыгъэхэм я зэпеуэ зэрыригъэкIуэкIым теухуа хъыбар. Абы къыхэжаныкIахэр газетым и редакцэм щэкIуэгъуэм и 17-м ирагъэблагъэри, саугъэтхэр къратащ. Адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ зи тхыгъэхэр зэхьэзэхуэм езыгъэхьа еджакIуэхэм нэхъ Iэзэхэр къахэбгъэщыну гугъут, — къэпщытакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ. Я къалэр фIыуэ зэра-лъагъур тхылъымпIэ напэм къыщызыIуатэ еджакIуэхэм, дауи, ялъэкI къагъэнакъым Бахъсэн и дахагъымрэ абы щыпсэу цIыхухэм я щэныфIагъымрэ къагъэлъэгъуэн папщIэ. ИтIани, къэпщытакIуэхэм я къалэн гугъур ямыгъэзащIэу хъунутэкъыми, пэрыт увыпIэхэр къыхэжаныкIахэм мыпхуэдэ щIыкIэу трагуэшащ: Япэ увыпIэ — Хъуэт Дамир (Бахъсэн дэт школ №5) ЕтIуанэ увыпIэ — Нэгъуей Дарье (Бахъсэн дэт школ №6); Ещанэ увыпIэ — Азычэ Ясми-нэ (Бахъсэн дэт школ №5); Саугъэт щхьэхуэ хуагъэфэщащ етIуанэ классым щIэс, Бахъсэн курыт школ №4-м и еджакIуэ Къардэн Дисанэ. Газетым и редактор нэхъыщхьэ Балъкъыз Аминэ редак-цэм къеблэгъа ныбжьыщIэхэм щехъуэхъум зэпеуэм зэрыхэтам щхьэкIэ фIыщIэ яхуищIри, КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу екIуэкIыну тхыгъэ зэхьэзэхуэми хэтыну къыхуриджащ. «Ди зэпеуэхэм фымышынэу фыкъыхыхьэ, фыщытекIуэ, — яжриIащ Балъкъыз Аминэ сабийхэм. — Нобэ ар зэхьэзэхуэ цIыкIу къыффIэщI щхьэкIэ, хэт ищIэрэ, зэман дэкIмэ, фэ фщыщ гуэр журналист, тхакIуэ, усакIуэ хъункIи хъунщ. НэгъуэщI IэщIагъэ къыхэфхыу щытми, фыкъыщалъхуа къалэр фIыуэ зэрыфлъагъур къызыхэщ сатырхэр тхыдэм къыхэнэнущ». Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101578.txt" }
Адыгэ бзылъхугъэм и щапхъэ Адыгэ бзылъхугъэр анэ гумащIэм, унэгуащэ щыпкъэм, бзылъхугъэ IэпэIэсэм, Iущым, гуапэм и щапхъэщ. Апхуэдэщ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, лъэпкъ фащэхэр къэзыгъэщIэрэщIэж дизайнер цIэрыIуэ, АР-м и ТхакIуэхэм я союзым хэт усакIуэ Бэджокъуэ Бэлэ. Бэджокъуэ Бэлэ Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ щыщщ. Къалэм щиIэ хэщIапIэм лъэпкъ дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмрэ зыхилъхьа, адыгэ идэхэмрэ уагъэхэмрэ хиухуанэурэ игъэдэха иджырей лъэпкъ фащэ дахэхэм къадэкIуэу (зэманым къызэригъэувымрэ цIыхухэм я щIэупщIэмрэ къилъытэу, фэилъхьэгъуэм и пасэрей щIыкIэр IэщIыб ищIын хуей мэхъу), ныпхэр, дамыгъэхэр, цIыхубзхэм къагъэсэбэп хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, саугъэт цIыкIухэр щегъэхьэзыр, Iупхъуэхэр щед. Экономикэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтами, Бэлэ гукIи псэкIи зыхуэпабгъэр лъэпкъ щэнхабзэмрэ адыгэ литературэмрэ хэлъхьэныгъэ хуэщIынырт. Аращ балигъыпIэ имыувауэ дэзыхьэха IэрыщI гъуазджэм и щэхухэм зыхигъэгъуэзэну и жэрдэму, модельер-конструктор IэщIагъэр щIызригъэгъуэтыжам и щхьэусыгъуэри. Бэджокъуэр иджыри пасэу, курыт еджапIэм щыщIэса зэманым, усэ тхынми дихьэхащ. Абы лъандэрэ бзылъхугъэм усэ купщIафIэ куэд и къалэмыпэм къыщIэкIащ. Ахэр нэхъыбэу ятеухуащ и лъэпкъэгъухэм, абыхэм ижь лъандэрэ къадекIуэкI хабзэ дахэхэм, адыгэ щIыналъэм, лъагъуныгъэм. Налшык къалэм и «Акрополь» нэгузыужьыпIэм 2017 гъэм утыку къыщрахьауэ щытащ «Принт Центр» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Антология женской поэзии» тхылъыр. Бзылъхугъэ усакIуэхэу Къудей Фаридэ, Мэржэхъу ФатIимэ, ХьэщIэлI Заирэ, Бэджокъуэ Бэлэ сымэ я усэ итщ абы. Бэллэ и усэхэр нэхъапэIуэкIэ газет, журнал напэкIуэцIхэмкIэ цIыхухэм ялъэIэсащ. Абыхэм зыхэзыгъэгъуэзэну гупыж зыщIхэм ахэр къыщагъуэтынущ Интернетым щиIэ Стихи.ру напэкIуэцIым. Бэджокъуэ Бэлэ Налшык щыщ сурэттеххэу Тхьэкъуахъуэ Артуррэ Ардавэ Тамарэрэ и дэIэпыкъуэгъуу, 2017 гъэм накъыгъэм и 21-м къызэригъэпэщащ «XXI лIэщIыгъуэм и адыгэ пщащэ» проектыр. Абы щIэдзапIэ хуэхъуащ Бэлэ ида лъэпкъ фащэхэр щызэхуэхьэса «Черкешенка» выставкэм хыхьэу, ахэр зи IэпкълъэпкъкIи утыку итыкIэкIи зэкIуж пщащэхэм Налшык зэрыщагъэлъэгъуар икIи къалэм и щIыпIэ дахэхэм сурэтхэр зэрыщытрахар. «Нарт Хэку» ЩIалэгъуалэ Хасэм Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу Налшык, Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм, илъэсищ ипэкIэ щригъэкIуэкIа «Фащэ гъэфIэж» щэнхабзэ Iуэхум хыхьэу, Бэджокъуэ Бэлэ и Iэдакъэ къыщIэкIа лъэпкъ фащэ дахэхэр пщащэхэм ягъэлъэгъуащ. Адыгэм и зыIыгъыкIэр, хьэл-щэныр зыхэлъ а фэилъхьэгъуэхэм еплъыну зи насып къикIахэр фащэр зыщатIэгъэну дезыгъэхьэхт икIи нэр зыгъэгуфIэт а зэхыхьэр. — ЗэIущIэр зи жэрдэм «Нарт Хэку» ЩIалэгъуалэ Хасэм фIыщIэ хуэфащэщ. Абы кърихьэлIахэм фэилъхьэгъуэхэр хуабжьу ягу зэрырихьам ди гур хигъэхъуащ. Iэпкълъэпкъым хуэщIа адыгэ фащэм пщащэхэр зэрагъэдэхар къэIуэтэгъуейщ. Ар лъэпкъ фащэм и щIэупщIэм хэзыгъахъуэ, щэнхабзэм зезыгъэужь Iуэху дахэщ. КъыдэхъулIэмэ, апхуэдэ пшыхь купщIафIэ иджыри Мейкъуапэ, Черкесск, Налшык къалэхэм къыщызэдгъэпэщыну ди мурадщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и дизайнер Iэзэхэри, цIыхубз IэпщIэлъапщIэхэри а зэхыхьэм къызэреблэгъар гуапэщ. ЗэрытщIэщи, IэпщIэлъапщIэхэр зэпымыууэ щIэ гуэр долъыхъуэ, ипэкIэ доплъэ, зыгуэрхэр къыдогупсыс. Ди IэщIагъэм теухуауэ дызэчэнджэщыну ар IэмалыфIт. Къызэдгъэпэщыну ди мурадщ адыгэ щэнхабзэм и зэгухьэныгъэ. Ар къыдэхъулIэмэ, Iуэху щхьэпэхэр тхуегъэкIуэкIынут, — жеIэ Бэджокъуэм. Мейкъуапэ щекIуэкI адыгэ щэнхабзэ фестивалхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ къадэкIуэу, Бэлэ и IэрыкIхэр щегъэлъагъуэ Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, Москва, Санкт-Петербург къалэхэм къыщызэрагъэпэщ щэнхабзэ Iуэху гуапэхэм. Бзылъхугъэ IэпэIэсэм и Iэдакъэ къыщIэкIа адыгэ фащэхэр дунейпсо утыкухэми щигъэлъэгъуащ, и лэжьыгъэхэм щIэупщIэрэ ехъулIэныгъэрэ яIэрэ паши щыхъуу. Бэлэ зи ужь ихьэ Iуэху дахэхэм, лэжьыгъэ щхьэпэхэм хуэзыгъэушыр, дэрэжэгъуэ къезытыр фIыуэ илъагъу адыгэ лъэпкъырщ. IэрыщI гъуазджэм теухуа щIэныгъэр зэрыгъунапкъэншэрщ Бэджокъуэм еш имыщIэу и зэфIэкIым щIыхигъахъуэр, щIэ къыщIигупсысыр. Абы щIэблэр къыхуреджэ а IэщIагъэ дахэр ипэкIэ ягъэкIуэтэну, ди фащэ дахэр щIалэхэми хъыджэбзхэми къыздезэгъым щыщатIэгъэну. Адыгэ бзылъхугъэм и щапхъэ Бэджокъуэ Бэлэ и IэрыкIхэми усэхэми псэгъэгуфIэ-дахагъэ зэрахэплъагъуэр гур хэзыгъахъуэщ икIи гуапэщ. Апхуэдэхэм фIыщIэ яхуэфащэщ я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ лъэпкъым и щэнхабзэм, литературэм, гъуазджэм я зыужьыныгъэм зэрыхуагъэлажьэм папщIэ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101580.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Къалэдэсхэм я бжыгъэр Къэралхэм я цIыхуу къалэхэм щыпсэур: Ватиканым, Монакэм, Наурум, Сингапурым цIыхуу щыпсэум я проценти 100-р къалэдэсщ, Бельгием — процент 97-р, Андоррэм — 95-р, Исландием, Катарым — 92-р, Бахрейным, Израилым, Уругвайм — 91-р. Зи цIыхухэм я процент 80-м щIигъур къалэхэм щыпсэу къэралхэр блы мэхъу. Къалэдэсхэр щынэхъ мащIэ дыдэр Бутанырщ — проценти 7 къудейщ, Руандэмрэ Бурундиемрэ — 8-щ, Непалым — 11-щ, Угандэм — 13-щ. Къалэдэсхэр щохъу: США-м — процент 76,2-рэ, Урысей Федерацэм — 73,1-рэ. УФ-м и республикэхэу Адыгейм — 53-рэ, Дагъыстэным — 41,5-рэ, Ингушым — 32,4-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым — 60,1-рэ, Къалмыкъым — 39,7-рэ, Осетие Ищхъэрэ — Аланием — 68,9-рэ, Шэшэным — 33,6-рэ. ЗэIусэм псэ хелъхьэ Акъылыр щагуэшым дурэшым дэсащ. Зи акъылыр жыжьэ нэмыс цIыхум ехьэлIауэ къапсэлъ. Гур зэрыгъум дыгъур кърокIуэ. Гум къэхъунур ещIэ жыхуаIэращ. Гур зэрыгъуа гуэр къэхъуа нэужь, жаIэ хабзэщ. ДаIуэ шхиипэ тоувэ. Чэнджэщ зылъытэр къызэрымыкIыфын щытыкIэ щыIэкъым. ЗэIусэм псэ хелъхьэ. ЗэIусэр мэхъу жыхуиIэщ. Iэужь дахэ зиIэ цIыху IэпщIэлъапщIэм хужаIэ. Мэзыр жыг зырызурэ зэхэтщ. Зэкъуэтыныгъэр къаруушхуэу зэрыщытым теухуащ. Сыхэмыхьэмэ ситхьэлэн. Iуэхугъуэ гуэрым, нэхъыбэу — шынагъуэм, дзыхьщIыгъуэджэм, хэпщIэну, и Iуэху хилъхьэну зэрыхуэмейр зыгъэна-Iуэ цIыхум жеIэ (е апхуэдэ цIыхум теухуауэ къапсэлъ). Къуэр напщIэщ, пхъур набдзэщ Ныбжьэгъур бгъэунэхунумэ, хуитыныгъэ ет. Сабий зэрымысым насып илъкъым. Уи бынрэ уи благъэрэ умыбж. Уи гъунэгъу и фэ къыптоуэ. Унэр игущ, жьэгур и псэщ. ФызыфI зиIэм хъуэхъу и унэ илъщ. Хэгъэрей бзаджэ дэкIуатэ кIыхьщ. Шыпхъум и гур дэлъхумкIэ гъэзащ. Къуэр напщIэщ, пхъур набдзэщ. Адыгэр вакъэ лъэныкъуэу шхэркъым, шхэурэ уэрэд жиIэркъым. Аргъуей мыдзакъэ щыIэкъым. Псы уардэунэ Индонезием хыхьэ Бали хытIыгум щIыпIэ телъыджэ иIэщ. ХытIыгум и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ бгы лъабжьэм псы къабзэ къыщыщIож. Абы щыпсэухэм пщIэшхуэ хуащI щIым и куупIэм къыщIэж псым икIи арауэ къалъытэ гъащIэщIэм къежьапIэ хуэхъур. Абы къыхэкIыу, а щIыпIэм дин хаб-зэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI, тхьэелъэIупIэу яIэщ. И хъуреягъым и дахагъымрэ хьэуа къабзэмрэ дихьэхри, Раджа Карангасему къалэщIыб унэ щиухуэну мурад ищIыгъащ абдеж. Ар зэфIэкIауэ щытащ 1942 гъэм. ИкIи а резиденцэм Тиртагангэ фIащащ («Тирта» — псы, «Гангэ» — Индием щежэх Ганг псырщ). Зи гугъу тщIы щIыпIэ телъыджэм гектар 1,2-рэ еубыд. Псы уардэунэр архитектурэ и лъэныкъуэкIэ щIыпIищу зэпычащ, зыр зым и щхьэм тету, скульптурэ пщIы бжыгъэхэр итщ. Япэ комплексым гуэлищ ущрохьэлIэ, етIуанэм ущес хъу псыгуэн зыбжанэ итщ, ещанэр резиденцэр зейуэ щыта Раджа и хэщIапIэу къалъытэращ, ар тхьэм хиха щIыпIэу ябжри, абы къыщыщIэж псыхэр дин дауэдапщэхэм къыщагъэсэбэп. Зи гугъу тщIы Псы уардэунэм китай, бали лъэпкъхэм я хабзэм тету щIа архитектурэ ухуэныгъэхэм ущрохьэлIэ. Телъыджэщ ахэр зэпуплъыхьыну, псыщхьэм тет мывэ щIимыгъэмбрууэхэм утету къэпкIухьыну… Къэбарт Мирэ. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 2. Адыгэр къызытепщIыкIахэм ящыщ пасэрей лъэпкъ. 6. Иужьрей нэмэз щIыгъуэ. 7. Адыгэш къабзэ. 8. Iэпслъэпс. 9. Район, псыежэх, къалэ. 11. Сабий быдзафэ. 13. МыIэрысэ … 16. Аруан районым щыщ къуажэ. 17. Псы Iуфэ мывалъэ-пшахъуалъэ. 18. МахуэцIэ. 20. ЩIы щхьэфэ тещтыкIа. 22. Фо … 23. Дзыдзэ лъэпкъым щыщ хьэкIэкхъуэкIэ цIыкIу. Къехыу: 1. … и кIэр хьэдагъэщ. 2. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 3. Унэгуащэр и гъунэгъум хуотхьэусыхэ: «Нысэ къызэрысшэрэ зы махуэ … жызигъэIакъым». 4. ФIы дыдэу еджэм ар хуагъэув. 5. … хиса жыгыр мэгъу. 10. ЩэкI пхъашэ Iув. 11. ЦIыхубзхэм я нэхъы-бапIэм а дыщэхэкIыр зэрахьэ. 12. Уэшх къешхам и лъэужь псы ина. 14. 19-нэ лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ. Абы и цIэр зэрехьэ Налшык и уэрамхэм ящыщ зым. 15. … цIыкIухэр школ пщIантIэм щызэрызохьэ. 19. Америкэм и президенту щыта зэадэзэкъуэ. 21. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист … Рэмэзан. 22. … лъакъуэрэ джэд лъакъуэрэ пхуэубыдрэ? Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. ЩэкIуэгъуэм и 13-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 1. Пхъэхь. 5. Къанж. 7. Номин. 8. КIарц. 9. Журт. 10. Бгъэ. 15. Мыщэ. 16. Нащэ. 17. Бжьыгуэ. 18. Бжьиз. 19. Тхьэв. Къехыу: 2. Хъыдан. 3. Хьэнцэ. 4. Шэмэджгъэдыргъ. 5. Къанжэ. 6. Нэкурэ. 11. ТIымыжь. 12. Хьэбэз. 13. УнэIут. 14. Хущанэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101583.txt" }
Лъэпкъ гупсысэр зи Iэпэгъу ЩакIуэ Мусэлий Мардас и къуэр 1946 гъэм щэкIуэгъуэм и 20-м Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Малэ Зеленчук (Ботэщей) къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэ пэщIэдзэ еджапIэр къиуха нэужь, Черкесск дэт еджапIэ-интернатым курыт щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ. Алма-Ата дэт Къэзахъ къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетым 1965 гъэм щIэтIысхьэри, 1969 гъэм ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухащ. Абы иужькIэ ар ди къэралым и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щылэжьащ — Къэзахъстаным, Сыбырым, Колыма, Чукоткэ, Врангель и хытIыгум къыщыдэкI газетхэм, радиом. Журналист лэжьыгъэм къыдэкIуэу, и щIалэгъуэм абы игъэунэхуащ IэпщэкIэ лэжьэнри — хьэлъэзехьэуи, пхъащIэуи, бетон зэхэзыщIэуи, мывэ зэтезылъхьэуи щытащ, уеблэмэ хьэр Iэжьэм щIэзыщIэхэми яхэтащ. 1976 гъэм Мусэлий Къэрэшей-Шэрджэсым къигъэзэжри, япэщIыкIэ Хьэбэз дэт заводым, иужькIэ район радиом щыIащ. 1982 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс телерадиокомитетым лэжьэн щыщIедзэ, хъыбарыщIэхэр, сабийхэм, щIалэгъуалэм ятеухуа нэтынхэр игъэхьэзы-ру. ИтIанэ жылагъуэ-политикэ Iуэху-хэм хухэха нэтынхэм зрепщыт. Абы зэфIэкIрэ хэлъэту иIэр къалъытэри, радиом и редактор нэхъыжь IэнатIэр, иужьыIуэкIэ редактор нэхъыщхьэ ящI. Мусэлий и псалъэхэр шэрыуэщ, адыгэбзэр IэкIуэлъакIуэу къегъэсэбэп, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэр куууэ зэпкърех, журналистикэм и Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ и тхыгъэхэр гукъинэж пщещI. Зэпсалъэ цIыхухэми гуапэу яхущытщ ар, я щхьэр ину яригъэлъагъужу, игъэгушхуэу, игъэлъапIэу. Ар фIыуэ щыгъуазэщ дунейпсо литературэм, тхыдэм, псом хуэмыдэу езыр къызыхэкIа лъэпкъым и блэкIам, щэнхабзэм. Географиеми, зекIуэн Iуэхуми, спортми хуэхамэкъым. Иужьрей илъэсхэм Мусэлий щолажьэ Къэрэшей-Шэрджэс телерадиокомпанием и адыгэ къудамэм, ар абы и унафэщIщ. И къалэн нэхъыщхьэу къелъытэ зи пашэ лэжьакIуэ гупыр игъэгушхуэнымрэ цIыхухэм гунэс ящыхъун нэтыныфIхэр ягъэхьэзырыным и жэрдэмщIакIуэу щытынымрэ. 1968 гъэ лъандэрэ Мусэлий СССР-м, Урысейм и Журналистхэм я союзхэм хэтщ, «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр 1995 гъэм къыфIащащ, абы къыкIэлъыкIуащ «Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэри. 2001 гъэм абы къыхуагъэфэщащ Къэрэшей-Шэрджэсым и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр. Сабиигъуэ Адыгэм я хабзэтэкъым къыщалъхуа махуэр ягъэлъапIэу, ар кърагъэкIуртэкъым. Нобэ зи илъэс 75-р зыгъэлъапIэ журналист цIэрыIуэ ЩакIуэ Мусэлий къыщалъхуа махуэр и анэм и махуэу къелъытэ. «Хьэблэжь сыкъыщалъхуам сыдэплъэжмэ, абы щыгъуэм псэуахэмрэ иджырейхэмрэ я дунейр зызогъапщэ. Ди адэжь-анэжьхэм ятелъа хьэзабыр хьэлъэу си плIэм дэлъщ, гукъеуэмрэ губгъуэ лэжьыгъэмрэ къыдэмыхуэу я гъащIэр зэрахьар си нэгу къыщIохьэж. Зауэри, гуауэри, къэралым и псэукIэ гугъусыгъухэри — а псори нобэ ебгъапщэмэ… ГъащIэм зэрызихъуэжар япэу зэрызыхэсщIэр ди нэхъыжь Iумахуэхэр зэрыщымыIэжымкIэщ. Абыхэм я шыуан-лэгъуп зехьэкIэр, пщэфIэкIэр, я дуней тетыкIэ дахэр нобэрей зэманым хуэчэмщ. Сытуи псэ къабзэу дунейм тета ахэр! Ди лIыжьхэм сахоплъэжри, шыхъуэу, мэлыхъуэу, Iэхъуэу псэу защIэт. ИтIанэми, ахэр ди уэрамым щрикIуэкIэ, мывэ кIэщхъ къудей гъуэгум телъу ямыдэу, баш яIыгъымкIэ еуэрти, лъэныкъуэ ирагъэзырт. Ди къуажэхэр кIыфIтэкъэ абы щыгъуэм?! Мэжджытым щыIа лIыжьхэм фонарь щIэгъэнахэр яIыгъыу къызэрыкIуэжыр си нэгум щIэтщ ноби. А нэхугъэмрэ лIыжьхэмрэ зэман кIыфIыгъэм хыхьэжа си сабиигъуэм къыпхыкIым хуэдэщ. Ди къуажэр, си сабиигъуэм зэрыщытар си нэгу къызэрыщIыхьэжыр псыхъуэ банэ сэрейуэщ, и цыпэхэр уэрамымкIэ къэгъэзауэ. Арами, апхуэдэ теплъэ зиIа къуажэми зэи къэмыхъуауэ хуабагъэ дэлът. Тхьэ сIуэнуи сыхуейкъым, ауэ иджырей зэхущытыкIэм хэлъ щIыIагъэм хуэдэ си сабиипсэм зыхищIакъым а зэманым. ТеплъэгъуитI си нэгу къыщIохьэж си сабиигъуэм щыщу. Япэ теплъэгъуэу къысхуэнар зэрыхьзэрийрщ. Уей, фоч макъыр къуажэм щхьэщыIукIыу, цIыхухъухэм фочыр ягъауэу уэрамымкIэ дэжу си нэгу щIэтщ. ИлъэсиплIым ситт абы щыгъуэм. Ди анэ мыгъуэми жэз тасыр къипхъуатэри, баш цIыкIукIэ еуэу пщIантIэм дэжащ. Хьэблэ фызхэри хэт пэгун, хэти кIэструл яIыгъыу, абыхэм макъ ирагъэщIым езым я макъри хыхьэжауэ хьэблэм зэрыдэхыу си нэгу къыщIохьэж. «МацIэр къуажэбгъум щылъ гъавэм къыхыхьауэ хьэлэч ещI!» — жаIэри, зи лъэ вакъэ изылъхьэу къуажэм дэсыр зэрыдэхыу арат ар ягъэщтэну. ЕтIуанэ теплъэгъуэри къыщыхъуар а пIалъэращ. Ди адэшхуэм къитIауэ псыкъуий куу диIэт. Мывэ къэси зыр-зым хуэкIуэу зэтелъхьауэ — ауэ сытми псыкъуийт ар! Мис а псыкъуийм шэдыгъуэ жыг бэлыхьхэр къегъэтIысэкIауэ щхьэщытт. Си шынэхъыщIэ Мусэбий и гущэ хэлъыгъуэт. Ди анэри дэстэкъым. Си адэм и анэр КIытIэхэ япхъут, еджагъэшхуэ КIытIэ Ахьмэд и адэм и шыпхъу дыдэт. И щхьэм лъы дэуейри, и щIэлъэныкъуэр иубыдауэ нанэр пIэхэлът. Ар къыщIашри, дыгъафIэм къыхагъэтIысхьат, сэ жыгым сытест, сIыгъ пыIэ цIыкIум шэдыгъуэ къыпысчхэр ислъхьэу. Зэуэ дыгъэр иубыдри, дунейр кIыфIыбзэ къэ-хъуащ. Сыгужьеяуэ согъ, жыгым сыкъехыжынуи сошынэ. «Уэ си сабий мыгъуэр! Уэ си сабий мыгъуэр!» — жиIэу ди нанэ и макъыр къоIу. Мо игъащIэм зи макъ зэхэзмыха ди нанэм и макъри си нэIуасэкъыми, сэри гъыныр щызгъэткъым. Ди гъунэгъу лIыжь бэлыхь, Мамбэт Мыхьэмэтджэрий, къыдыхьэри: «Iэминат, сыт къэхъуар?», — жиIащ. «Сабий мыгъуэр кIыфIым игъэгужьеяуэ жыгым къехыжыфыркъым», — щыжриIэм, Мыхьэмэтджэрий накIуэри, жыг къудамэм сыкъыпихыжауэ щытащ». Нэхъыжьхэр Дунейм къытехьэ цIыхум лъагъуэхэш хуэхъури, щапхъэ зытрихыу къыдекIуэкIри и нэхъыжьхэрщ. Абыхэм я жьауэм зэ щIэта цIыхум щыгъупщэнукъым я нэхъыжьхэм къапкърыкI гуапагъымрэ Iущагъымрэ. Мусэлий щызэплъэкIыжкIэ, игу нэхъ хыхьэу иIэ гукъэкIыжхэм ящыщщ и нэхъыжьхэр. «А зэман жыжьэм сыхэплъэжмэ, лъэпкъым и купщIэу, налкъуту хэслъагъуэр ди нэхъыжьхэращ. Ахэр ауэ сытми цIыхут! Я псэлъэкIэкIи дуней тетыкIэкIи зэтету, гъащIэ Iущагъыр я Iэдэжу куэд зылъэгъуа нэхъыжьт ахэр. Нобэ сызоплъэкIыжри, сылъэIэсыжкъым: ей, бетэмал! БалигъыпIэм сиувауэ ди лIыжьхэм сащыбгъэдэсам, абыхэм жаIар щIэзмытхар сыт?! Пэжщ, ноби я псалъэ, теплъэгъуэ куэди си гум къинащ, си нэгум щIэтщ. Ауэ абыхэм къапкърысхыфыну щытамрэ нобэ гукъэкIыжу къысхуэнамрэ ауи зэбгъапщэ хъунукъым. Мис ар си щыуагъэшхуэу къызолъытэ. Уэз Хьисэ, ЩакIуэхэ Бэтокъуэ, Хьэжбатыр, Машэ, Лу, Къаплъэн, Билал, Братхэ Машэджэху, Къаплъэн, Хьэмзэт сымэ — мыр япэу си нэгу къыщIыхьэжа къудейхэращ. Апхуэдэ лIыжь бэлыхь дапщэ дэса ди къуажэм! Абыхэм ящыщт си адэшхуэри. И гъащIэр колхоз тхьэмадэу, пашэу ирихьэкIащ. Езыр 1896 гъэрат къыщалъхуар, 1938 гъэм «троцкист» дзыр къыфIащри яукIащ. Ауэ и фэеплъ, цIыхугъэ нэхур си дежи къэсащ. НыбжьэгъуфIу иIа, къыдэлэжьа, губгъуэм къыдита Брат Умар къызжиIэжауэ щытащ: япэрей гъавэр губгъуэм кърахыжу хьэмым къызэрытрахьэу, гуэдзми, нартыхуми, нэгъуэщIми, къэп зырыз, щэху-нахуэми, къуажэм фызабэу дэсым яхуригъашэрт. Апхуэдэ гулъытэ зыщIыфынрэ а гулъытэм хуэныкъуэрэ ди зэманми щыIэщ, ауэ япэхэм етIуанэхэр зэрамылъагъум сигу хегъэщI, ди нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэфэщэнкъым ар, жысIэу». Лъэпкъыбзэ Илъэс куэд щIауэ анэдэлъхубзэм ирилажьэ ЩакIуэ Мусэлий, ар хъумэным, щыIэным, щIэблэм яIурылъыным и Iыхьэ хъарзыни хилъхьащ. И IэщIагъэм щигъэнэхъыщхьэри ар зэрылажьэ анэдэлъхубзэращ. «Уи лъэпкъыбзэм нэхърэ нэхъ узыгъэлъэпIэнрэ узыгъэлъагэнрэ щыIэу къэслъытэркъым. Ди хэгъэгум щыпсэу лъэпкъхэм уахэплъэмэ, адыгэхэм нэхърэ зи бзэм пщIэ нэхъ хуэзымыщIыж, фэ езымыплъыж яхэту къыщIэкIынкъым. Къэрэшеи, абази, нэгъуеи, зэрыжаIэу, ар къуажэдэс е къалэдэс ирехъу, я быныр я лъэпкъыбзэкIэ ягъэпсалъэу, утыкум ихьэмэ, я бзэмкIэ «иракъутыхьу» долъагъу. Пэжщ, адыгэхэми къахокI зыгуэр зыщIэ, зи гур лъэпкъыбзэм хуэгузавэ, ауэ и нэхъыбэм мы Iуэхум хуаIэ бгъэдыхьэкIэм укъегъэуIэбжь. Сэ куэдрэ жысIащ: бзэм бгъэдыхьэ-кIэ къыхуэдгъуэтынымкIэ щапхъэ тхуэхъупхъэу къэслъытэр Израилым щыпсэу адыгэхэрщ. Абыхэм я сабийхэр анэдэлъхубзэм зэрыхурагъаджэр, ар зэрыIуралъхьэр щапхъэ ирокъу. Сигу къокIыж усакIуэ, егъэджакIуэ Бемырзэ Мухьэдин адыгэбзэмкIэ 1 — 4-нэ классхэр зэреджэну Iэмалхэр къызэригъэпэщауэ зэрыщытар. А зэманым Мухьэдин а гупсысэр щIиукъуэдиям, ерыщу иужь щIитам, ауэ зэрызэхамыхам нобэ щIэрыщIэу дегупсысыжыпхъэщ. Мис а гъуэгуращ Израилым щыпсэу адыгэхэр зытетыр. Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ къуажитIым я еджапIэм анэдэлъхубзэ зыIурымылъ сабий къащтэнукъым. Зи анэдэлъхубзэр лъабжьэ зыхуэхъуа сабийхэм журтыбзэри, инджылызыбзэри, хьэрыпыбзэри тыншу къапхъуатэ. Ар ди дежкIэ щапхъэу къызолъытэ. Абыхэм елъытауэ, ди Iуэху зехьэкIэр узыфIэмыкIыжыну тхьэмыщкIагъэщ. Лъэпкъыбзэм и жьауэм щIэкIам, абы елъэпэуэжам и дунейри зэрымыузыншэжым сэ шэч къытесхьэркъым. Хуабжьу сызыгъэгужьейр анэдэлъхубзэ зыIурылъу сабий гъэсапIэм кIуэ ныбжьыщIэм мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу ар зэраIэщIэхурщ. Къалэдэс адэ-анэ гуэрхэри хъийм икIарэ, я лъэпкъыбзэм хуэмеижу, я быным ар ирагъэджын ямыдэу, уеблэмэ абыкIэ лъэIу тхылъ еджапIэхэм щIалъхьэу — хэплъэгъуэщ дызэрыт зэманыр. Абыхэм къагурымыIуэр зыщ: уи лъэпкъыбзэм щIэныгъэм хегъахъуэ, армыхъумэ хигъэщIыркъым. Лъэпкъ мащIэхэм я анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ пщIэ хэха хуищIыну къэралым и пщэ илъщ. Нэхъыщхьэжыр аращи, адыгэм къытхэкIауэ къулыкъу зэхуэмыдэхэр зыIыгъхэм лъэпкъыбзэм и мыхьэнэр къагурыIуэу, абы ирипсэлъэну зрамыусыгъуэджэмэщ зыгуэрым дыщы- гугъ щыхъунур. Си щхьэкIэ, адыгэбзэр пасэу си гъащIэм къыхыхьащ, си унагъуэм къикIыу. Ди адэм адыгэбзэкIэ иригъаджэрти, лъэпкъыбзэкIэ къыдэкIа тхылъ къытхуимыхьауэ къэкIуэжыртэкъым. Уи бзэр зыщIэпшэныр, уи бзэкIэ дунейр къэплъагъуныр куэд и уасэщ. Ди адыгэбзэр лъэрыхьщ икIи телъыджэщ, къызэрымыкIуэу ныбжь ин зиIэщ. Абы хуэгъэзауэ ГъукIэмыхъу Iэубэчыр, КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, Нало Ахьмэтхъан, къэхутакIуэу диIэ ХьэдэгъэлI Аскэр сымэ жаIа-ятхахэр гъунэ зимыIэу IуэрыIуатэм лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ къыхэнэну защIэщ. Ди лъэпкъыбзэм си гупсысэр зэриунэтIымрэ зэригъэкъабзэмрэ къэсщтэнщи, абы нэхъ телъыджэ дунейм тету схужыIэнукъым. Арагъэнщ сэ газетми, радиоми, телевиденэми сыщылэжьэну Тхьэшхуэм гъуэгу къыщIызитар». Журналистикэ Лъэпкъ журналистикэм хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ Мусэлий. Абы и блэкIами фIыуэ щыгъуазэщ, нобэ зэрыт щытыкIэми хещIыкI, дяпэкIэ зыхуэкIуэнум теухуауэ жиIэри гъэщIэгъуэнщ. «Псалъэм нэхърэ нэхъ лъэщ цIыхум и акъылым къигъэщIауэ къыщIэкIынкъым. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор цIэрыIуэ Бэчыжь Лейла утыкум къыщихьэкIэ «Псалъэр…» жиIэу къызэрыщIидзэм куэдым сригъэгупсысырт. Лейла жиIэн имыгъуэту аратэкъым абыкIэ сыт щыгъуи къыщIригъажьэр. АтIэ, псалъэм и мыхьэнэм, и купщIэм, «псэм илъу» зэрыщытым гу лъыдигъэтэну арат. Сэ си щхьэкIэ абы къигъэуш гупсысэм сришажьэрти, ди тхыдэмрэ анэдэлъхубзэмрэ я гъуэгуанэ хьэлъэм сытришэжырт. Адыгэ журналистикэм и тхыдэм дыхэплъэжмэ, ар кIэщIу жытIи хъунукъым. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм къыщегъэжьауэ ди лъэпкъым узэщIакIуэу, еджагъэшхуэу, публицист псалъэкIэ утыкум ихьэу диIа цIыхушхуэхэм къадежьащ адыгэ журналистикэм и тхыдэри. Апхуэдэщ журналистикэм и IуэхукIэ псом япэ изгъэщ КIашэ Адэлджэрий (Къалэмбий), итIанэ Тамбий Пагуэ, Къазджэрий, Хъанджэрий, Бырсей Умар сымэ. Абыхэм я фIыщIэщ журналистикэм и япэ лъагъуэхэр. Пэжщ, журналистикэм «еплIанэ власть» хужаIэу къокIуэкI, ауэ апхуэдэ пщIэ лъагъэсыркъым. Апхуэдэ зэхущытыкIэм зихъуэжу, журналистым и псалъэм къулыкъущIэхэр нэхъ щIэдэIуу щытамэ, фIы къыдэкIуэнут, ныкъусаныгъэхэр нэхъ мащIэнут. ГурыIуэгъуэщ лъэпкъ журналистикэмрэ лъэпкъыбзэмрэ зэрызэпхар. Журналистхэр, псом хуэмыдэу телевиденэм щылажьэхэр, наIуэ дыдэу дыщыгъуазэщ адыгэбзэр зыхэхуа тхьэмыщкIагъэм. Ди лъэпкъэгъу къулыкъущIэхэм депсэлъэн хуей щыхъукIэ, я гупсысэр я анэдэлъхубзэмкIэ къахуэIуатэркъым. И хэку исыжу псэу адыгэм къекIурэ ар? Гу зэрылъыстащи, ди бзылъхугъэхэм я бзэр нэхъ къабзэу къызэтенащ, ди цIыхухъухэм я псэлъэкIэм елъытауэ. Ди бзэр тIэщIэхумэ, лъэпкъыр дыхэкIуэдэжауэ аращ. Лъэпкъыбзэр и лъэ теувэжыным си гугъэр хэсхыну сыхуейкъым. А гугъэр сIэщIэкIмэ, дунейм сыщIытет щхьэусыгъуэри сIэщIэкIыну къысщохъу. Нобэ лъэпкъым къеуэлIа узым дыпэщIэмыувэмэ, ди гугъэри кIуэсэнущ. Лъэпкъыбзэ щымыIэу, лъэпкъ журналистикэми ущIытепсэлъыхьын щыIэжкъым». БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101586.txt" }
Инджылызыбзэр иригъэджми, анэдэлъхубзэр IэщIыб ищIыркъым Интернетыр IэмалыфIщ дуней псом къыщыхъу хъыбархэр псынщIэу зэбгрыгъэкIынымкIэ, удэзыхьэх Iуэхум теухуауэ уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэнымкIэ. КъБКъУ-м инджылызыбзэмкIэ и егъэджакIуэ Дзасэжь Ларисэ хамэбзэр IэщIагъэ хуэхъуами, анэдэлъхубзэр IэщIыб ищIыркъым. Инстаграмым абы щиIэ Easy_adygebze напэкIуэцIым лэжьыгъэшхуэ щызэфIех, ди бзэр зэзыгъэщIэну хуейхэм я дэIэпыкъуэгъуу. Дзэлыкъуэдэс пщащэр зэрыцIыкIурэ дахьэхат хамэ къэрал тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа художественнэ тхыгъэхэм. Зэджэ тхылъхэм я дунейм апхуэдизкIэ ар зыщIашати, ахэр зэратха бзэмкIэ еджэну щIэхъуэпсырт. Аращ зи анэри анэ шыпхъури егъэджакIуэ Ларисэ инджылызыбзэр IэщIагъэу къыщIыхихам щхьэусыгъуэ хуэхъуари. 2002 гъэм университетыр ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ икIи инджылызыбзэмкIэ кафедрэм къагъэнэжауэ абы лъандэрэ щолажьэ. Зэгуэрым Санкт-Петербург и тхылъ щапIэхэм ящыщ зым Ларисэ щилъэгъуат инджылызыбзэр зэребгъэджыну тхылъ, карточкэ телъыджэхэр. Абы щыгъуэ зэуэ игу къэкIат ныбжьыщIэхэм анэдэлъхубзэр нэхъ тыншу зэрырагъэджын Iэмал хъарзынэу ар къэбгъэсэбэп зэрыхъунур. КъэкIуэжа нэужь, куэдрэ мыгупсысэу, Ларисэ игъэхьэзыращ адыгэ алыфбейр тыншу зэрызэбгъэщIэну карточкэ щхъуэкIэплъыкIэхэр, ауэ, хущIыхьэгъуэ имыгъуэтурэ, а Iуэхур тIэкIу Iэпэдэгъэлэл хъуащ. — Коронавирус узыфэм и зэранкIэ, унэм куэдрэ дыщIэсыну къыщытхуихуа пIалъэр къэзгъэсэбэпри, зэпыуда хъуа а лэжьыгъэм пысщэжыну мурад сщIащ, — жеIэ Ларисэ. — Иджырей сабийхэр къызэрыдэмыхьэхы-гъуафIэр фIыуэ сщIэрти, Интернетым щы-зэхуэхьэса Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм зыхэзгъэгъуэзащ икIи псом нэхърэ нэхъ сигу къыдыхьар Wordwall сайтырщ. Абы интерактивнэ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къует, дерсхэр нэхъ гъэщIэгъуэну къызэбгъэпэщынымкIэ сэбэпышхуэу. Ларисэ и Easy_adygebze Инстаграм напэкIуэцIыр щIиублар щIалэгъуалэм куэду Iэпэгъу яхуэхъуа Интернетыр къигъэсэбэпу, псори фIыуэ нобэ зыхуэшэрыуэ урысыбзэр зыдагъэIэпыкъуурэ анэдэлъхубзэмрэ инджылызыбзэмрэ зрагъэщIэнымкIэ, яджынымкIэ яхуэщхьэпэнырщ, ди бзэм и дахагъэм гу лъаригъэтэнырщ. Ларисэ и напэкIуэцIыр къызэIузыххэр Iэпкълъэпкъым щыщIэдзауэ, хадэхэкIхэм, псэущхьэхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм, мазэцIэхэм, гъэм и зэманхэм, нэгъуэщI куэдми хегъэгъуазэ. И дерс хьэлэмэтхэр, бзэр джынымрэ зегъэужьынымрэ къадэкIуэу, ныбжьыщIэхэм я гурыхуагъэми хэзыгъахъуэщ. Ларисэ, дауи, анэдэлъхубзэм елэжьыныр тIэкIу къыщегугъуэкIи щыIэщ. УпщIэ щIэщхъуркъым, жыхуиIэращи, апхуэдэхэм деж адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм йочэнджэщ икIи сыт щыгъуи зыкъыщIагъакъуэ. Дыщогугъ Дзасэжь Ларисэ и лэжьыгъэр кIуэтэну, адыгэбзэр зыджыну гупыж зыщI ди лъэпкъэгъухэм къахуэсэбэпыну, анэдэлъхубзэм зригъэужьыну. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101591.txt" }
ГъащIэшхуи щIэупщIэшхуи иIэнущ Адыгэбзэм хузэхалъхьауэ псалъалъэ зэмылIэужьыгъуэхэр дунейм къытехьащ — псалъэгъэнахуэ, зэзыдзэкI, фразеологие, пэжырытхэ, нэгъуэщI жыпIэми. Мыбы и лъэныкъуэкIэ ди Iуэхухэр Iейкъым. Ауэ, апхуэдэу щытми, дяпэкIи длэжьын хуейр мащIэкъым. Къытпэщытхэм, куэд щIауэ дызыхущыщIэхэм ящыщщ ХьэцIыкIу Рае ди пащхьэ кърилъхьа лэжьыгъэщIэри. Ар къалэну зыхуигъэувыжу илъэс бжыгъэкIэ елIэлIа, зи гуащIэ псэемыблэжу езыхьэлIа Рае фIыщIэ лей хуэщIыпхъэщ. БзэмкIэ егъэджакIуэри, бзэр зыджри япэу зэпхъуэну зыхуэныкъуэхэм ящыщщ псалъэ къэхъукIэхэмкIэ гъуэгугъэлъагъуэ псалъалъэр, сыту жыпIэмэ бзэм псалъэ къызэригъэхъу Iэмалхэм ущымыгъуазэу, адэкIэ абыхэм уаригъуазэурэ уэ къэпIуэтэну узыхуей гупсысэхэр къикIыу псалъэ къэбгъэщIыф умыхъуамэ, а бзэр куууэ умыщIэу аращ. Рае зыхущIэкъури и хъуэпсапIэри аращ — иджырей щIэблэри, дяпэкIэ дунейм къытехьэнухэри бзэм хуэIэзэу къэгъэхъунырщ, дунейм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм зи лъабжьэр щIауд анэдэлъхубзэм и гъащIэр апхуэдэ щIыкIэкIи кIыхь щIынырщ. Емызэшыжу а Iуэхум толэжьыхь мы бзылъхугъэр, хэкIыпIэ гъэщIэгъуэн куэди абы къыхуегъуэтри гъащIэм хепщэ. Мы псалъалъэри а гъуэгум щича лъэбакъуэшхуэу къызолъытэ. Дауэ пэлъэщауэ пIэрэ мыпхуэдэ къалэн мытыншым жыпIэмэ, сэ мы лэжьыгъэм гупсэхуу нэIуасэ зыхуэсщIащи, шэч лъэпкъ къытесхьэркъым ар сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей зэрыхуэзам, мыпхуэдэ псалъалъэ лIэужьыгъуэу нэгъуэщIыбзэхэм, псалъэм папщIэ урысыбзэм, хузэхалъхьауэ щыIэхэм я нэхъыфIхэм ябгъурыбгъэувэ зэрыхъунум. Дауи, псалъалъэр зэхэзыгъэувар а зи гугъу сщIыхэм якIэлъыплъащ, ахэр зыкъомкIи щапхъэ хуэхъуащ. Ауэ бзэ къэс езым и зэхэлъыкIэ щиIэкIэ, абыхэми бгъэдыхьэкIэ зырызи къахуумылъыхъуэу хъуркъым, Раи апхуэдэ проблемэ хэтащ — адыгэбзитIми, абыхэм я Iыхьлы абазэбзэми, абхъазыбзэми мызыгъуэгукIэ псалъэ къэхъукIэ псалъалъэ щамыIэкIэ, абы езым и лъагъуэ хишыжын хуей хъуащ. Ди бзэм и нэщэнэщ зы пычыгъуэ фIэкIа мыхъу псалъэ лъабжьэм и пэмкIи и кIэмкIи зыр адрейм кIэлъыкIуэу мыхьэнэщIэ къэзыгъэхъу Iыхьэхэр пыувэурэ, гъэщIэрэщIауэ жыпIэмэ, нэрынэ-нэрынэу къызэрыкIыурэ, сатыр псо хъу псалъэ зэхэлъхэр къызэрытехъукIыр. Псом ялейуэ апхуэдэ зыдэтлъагъур лэжьыгъэ къызэрыкI псалъэхэрщ, нобэ глагол жыхуэтIэхэрщ. Псалъэмакъым тIэкIу дыкъытокI, ауэ и чэзу хъуат мыбы хамэбзэкIэ мыхъуу адыгэбзэкIэ фIэщыгъэ иIэну, ауэ къафIэмыIуэхуныгъэр арами, темыгушхуэныгъэм къыхэкIами, мыбы и мызакъуэу нэгъуэщI бзэщIэныгъэ фIэщыгъэцIэ куэдымкIи нэгъуэщIыбзэ жыIэкIэхэм дакъытемыкIыфу дыкъокIуэкI. Зэгуэр къыхалъхьэу иджы дызэсэжа «щыIэцIэ», «плъыфэцIэ»-хэм хуэдэу глаголми «лэжьыгъэцIэ»-кIэ щхьэ деджэ мыхъурэ? Мы проблемэр зэфIэхыным яужь дихьакIэщ, Тхьэм жиIэмэ, абы унафэ гуэр мыгувэу игъуэтынущ. АтIэ, глаголым деж дгъэзэжынщи, абы хэлъ лэжьыгъэм и екIуэкIыкIэр игъэнаIуэу хэувэ псалъэ Iыхьэхэр куэд мэхъу: псалъэм папщIэ, ар зыгуэрым е ищхьэмкIэ, е илъабжьэмкIэ, е ибгъумкIэ зэрыщекIуэкIыр, тыншу е гугъуу, псынщIэу е хуэмуу къызэрыхъур, н.къ. Ахэр къэхутэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэзыгъэкIа щIэныгъэлI цIэрыIуэ Къумахуэ Мухьэдин мыпхуэдэ щапхъэ къехь: къы-д-е-з-гъэ-шэ-жы-ф-а-тэ-къым. Мыбы нэхърэ нэхъ гугъужхэри щыIэщ. Пэжщ, мы щапхъэ къэтхьам хэтщ псалъэ къэзыгъэхъухэм нэмыщI псалъэхъуэжхэри — къапщтэмэ, Iуэхугъуэр зылэжьыр, къыдэзылэжьыр, ахэр зэлэжьыр, н.къ. къагъэлъагъуэу глаголым зэуэ щхьэ префиксу тхум нэс хоувэф. Иджы мыпхуэдизыр щызэхэувэкIэ, а псор зэхэмызэрыхьу дауэ къанэрэ? ГъэщIэгъуэныр абдежыращи, псалъэ къэзыгъэхъу (псалъэщI жытIэми хъунущ) Iыхьэ къэс пыухыкIауэ езым и увыпIэ иIэжщ. Iэнэ тIысыгъуэм деж нэхъыжь-нэхъыщIэ зэрыжытIэм хуэдэу, е гуп зэхэтмэ, хэт ижьрабгъукIэ, хэт сэмэгурабгъукIэ къыщытын зэрыхуейм хуэдэу, адыгэм ди зэхэтыкIэ хабзэм хуэдэ ди бзэми щызокIуэ. Сэмэгурабгъу-ижьрабгъум бзэм щыхуэбгъадэ хъунущ лъабжьэпэ (префикс), лъабжьэужь (суффикс) гупитIыр, мыдэкIэ а гупхэм ящыщ дэтхэнэри зэрызэхэт Iыхьэхэр дауэ зэкIэлъыкIуэн хуейми — хэт япэ, хэт яужь итын хуейми — ди Iэнэ тIысыкIэм ебгъапщэ мэхъу. А хабзэхэр димыIэу щхьэж езым къызэрыфIэщIым хуэдэу псалъэм и Iыхьэхэр къригъэувэкIын щIидзамэ, зым жиIэр адрейм къыгурымыIуэжу дыкъызэхэнат. Гу лъыфтагъэнщ, зыгуэрым зэрымыщIэкIэ, е бзэр куууэ зэримыщIэм къыхэкIыу псалъэм и Iыхьэ гуэрхэр зэблэгъэувыкIауэ къипсэлъмэ, ар занщIэу тхьэкIумэм къоуэ. Аращи, псалъэ къэхъукIэ тэмэмым ущыгъуазэу ущытыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. НэгъуэщI зы лъэныкъуи щыIэщ, и гугъу умыщIу ублэкI мыхъуу. ПсалъэщIэ къыщыхъукIэ, абы и Iыхьэ зэхыхьэхэм мымащIэу щокIуэкI макъ хъуэж, макъ зэблэхъу сыт хуэдэхэр. Ахэр къыхэлъытауэ псалъэм и тхыкIэм хабзэ гуэрхэр хуэгъэувауэ щытщ. КIуэ, ди пэжырытхэм и бгъэдыхьэкIэ нэхъыщхьэр зэрызэхэпхым ещхьу (фонетикэ принцип) тхынырщ, ауэ абы имызагъэу зэрызэхэткIэ (морфологие принцип) тхын хуейхэри щыIэщ. Уеблэмэ а тIуми къызэщIамыубыдэу зэрызэгурыIуа тхыкIэ жыхуиIэри диIэщ. Иджы псалъэ гуэр птхын хуейуэ, абы и тхыкIэ хабзэми ущымыгъуазэмэ, къэнэжыр ар псалъалъэм къыщыплъыхъуэнырщ. Абы тещIыхьа пэжырытхэ псалъалъэ щыIэщ, ауэ ар уимыIэми, мис мы къэхъукIэ псалъалъэр, ар и къалэну щымытми, щIэгъэкъуэн къыпхуэхъуфынущ. Мы псалъэмакъ кIыхьыр къыщIэзгъэхъеяр ХьэцIыкIу Рае зыпэрыта Iуэхур зэрымыцIыкIуфэкIур фи нэгу къыщIэзгъэхьэн, абы и IэдакъэщIэкIым хуэфэщэн уасэ хувэзгъэщIын щхьэкIэщ. Псалъалъэм къанэ щымыIэу къызэщIиубыдащ адыгэбзэм псалъэ къэхъукIэу иIэ псори, абыхэмкIэ бзэм къигъэщIа лексикэри убгъуауэ къыщыхьащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ литературэбзэм къыщагъэсэбэп псалъэ къытещIыкIахэр мыбы ибгъуэтэнущ. АдэкIэ ахэр нэхъ тыншу, гурыIуэгъуафIэу тхылъеджэм бгъэдилъхьэн папщIи дунейпсо лексикографием зэригъэпэща бгъэдыхьэкIэфIу щыIэхэр къришэлIащ, ди бзэм ахэр епхьэлIэ зэрыхъун хуэдизкIэ, мыдэкIи а Iэмалхэр къыщемэщIэкIым зыхуримыкъур езым хилъхьэжащ. А псом щыгъуазэ ухуэзыщI «Псалъалъэм и ухуэкIэр» щIэныгъэ къэхутэныгъэ щхьэхуэм хузогъадэ, апхуэдизкIэ зэхэхауэ псалъэ лъэпкъыгъуэ къэс я псалъэ къэхъукIэ парадигмэр щызэпкърыха хъуащи. Тхылъыр япэу къэзыщтэ дэтхэнэми абдеж къыщыщIи-дзапхъэщ, адэкIэ псалъалъэр Iэрыхуэу къигъэсэбэпыф хъун щхьэкIэ. Мы тхылъым, дауи, гъащIэшхуи щIэупщIэшхуи иIэнущ — аракъэ тхылъ кьыдэзыгъэкIым и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр. Псалъалъэм, ар зэхэзылъхьам хуэгъэзауэ жытIэмэ, ар хъуэпсапIэ нэхущ, сыту жыпIэмэ ди лъэпкъым, ди анэдэлъхубзэм ифI зэрехуэри, абы и пщэдейм толажьэри. БИЩIО Борис, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101594.txt" }
Хъуэхъум и къарур Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм хъуэхъум пщIэшхуэ хуащIу къокIуэкI. Хъуэхъу дахэкIэ дуней къэхъукъащIэхэр къагъэIурыщIэну хэтт. «Хъуэхъур куэд хъуркъым», «Узэхъуэхъур къохъуэхъуж», «Хъуэхъум и пэри и кIэри хъуэхъущ». А псоми къарыкIыр зыт — «Хъуэхъум и къарур инщ, умыщхьэхыу узэрыхъуэхъуэн», жыхуаIэт. Адыгэм илэжь дэтхэнэ зы Iуэхуми щIидзэн ипэкIэ, «Iуэху пэублэ хъуэхъу» къабжырт: Ди тхьэ, Тхьэшхуэ, псынщIэ теIуэ, фIы теIуатэ, Iэ ижьым егъэублэ, Iэ сэмэгум егъэух, узыншагъэкIэ къедгъэхьэлIэж, гуфIэгъуэкIэ дыгъэшхыж! — жаIэрти, лэжьыгъэ IэнатIэм пэрыувэрт. Абы къинэмыщIауэ, ялэжь Iуэхугъуэм елъытауэ, хъуэхъу куэд къаIэтын хуей хъурт. «УнэщIэ хъуэхъу», «Вабдзэ телъхьэ хъуэхъу», «Гъунэилъэ хъуэхъу», «ВакIуэдэкI хъуэхъу», «Амыщ и хъуэхъу», «Iэнэгу хъуэхъу», «Нысашэ хъуэхъу», «Щауэишыж хъуэхъу», «Бэракъ е вакIуэихьэж хъуэхъу», «Махуэшхуэ хъуэхъу». Адыгэм бжьэ къиIэту щытакъым, хъуэхъу трыжимыIыхьу, ар сыт хуэдэ Iуэхугъyэм къыхуащтауэ щытми. Зэрыхабзэти, фадэбжьэм нэхъыжьыр техъуэхъухьырт, нэгъуэщI зыгуэрым иритырти, иригъафэрт. Хъуахъуэу езыр ефэжу хабзэтэкъым. Зы- хуигъэфэщар ефа нэужь, къритыжырти, итIанэт хъуэхъуар щефэр. «Хъуахъуэрэ ефэжмэ, Джылахъстэнейщ», — жаIэу а псалъафэр къыщIежьари аращ. Ауэ мыпхуэдэ хъыбари щыIэщ. Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч и пщыгъуэ зэманым Iэпхъуэшапхъуэурэ щIыпIэ зыкъомым щыпсэуащ. ИкIэм ар Къэщкъэтау щыдэсам щыгъуэ, лIэмэ, абы щыщIалъхьэну кхъэлэгъунэ-чэщанэ иригъэщIат. Чэщанэр зыщIахэр къыщIишэри Iэнэ къахуищтащ, фадэ къахуищтащ. Ауэ махъсымэбжьэм ефэн щхьэкIэ, мыхъуахъуэу хъунутэкъым. Ар хабзэт. Зытехъуэхъухьын хуейр — чэщанэ иригъэщIар арат. Хъуэхъуэн хуейр гупым я нэхъыжьрати, Iэнэр къащIыхуищта чэщанэм щхьэкIэ хъуэхъу жиIэн къыхуэгупсысыртэкъым. Абы хэту, Аслъэнбэч и чэнджэщэгъу Къэзанокъуэ Жэбагъы щымыIауэ, хеящIэ къикIыжауэ къыщIыхьащ. КъыщIыхьэм бжьэ ират хабзэти, «Мыбы си къалэныр сщхьэщихынщ» жыхуиIэ щIыкIэу, нэхъыжьым, ищIэни жиIэни имыщIэу, иlыгъ бжьэр Жэбагъы иритащ. Жэбагъы щIэупщIащ, фадэм щIефэ щхьэусыгъуэм. Абы и жэуапыр къыщратым, Жэбагъы жиIащ: — АтIэ, кхъэлэгъунэм и кIуэцIыр нэщIрэ и щIыбыр щIэращIэу куэдрэ Тхьэм щигъэт. Адыгэ хъуэхъу-сэламхэр зыбжанэу зэтегъэпщIыкIащ. Хъуэхъу-сэламыр цIыхур зэлэжьу зыпэрыт IэнатIэм теухуащ. Сэлам хъуэхъур зытыр бгъэдыхьарщ, къеIызыхыy жэуап зытыжыр лэжьыгъэ зыщIэу IэнатIэм пэрытырщ. Абы къыхэкIыу, адыгэм лэжьыгъэ бжыгъэм тещIыхьа сэлам тыкIэ зэхуэмыдэхэри иIащ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101597.txt" }
«StartUp 5642» зэпеуэр йокIуэкI УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м и сенатору щыIэ, ЩIДАА-м и Президент Къанокъуэ Арсен къызэригъэпэща «StartUp 5642» зэпеуэр йокIуэкI. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу хьэрычэт Iуэху мыиным хэтхэм папщIэ къызэригъэпэщащ. Абы ирагъэхьа проекти 160-м щыщу 143-р япэ Iыхьэм блэкIащ. Зэпеуэм къыхахыну лэжьыгъи 10-м ахъшэр трагуэшэжынущ, Iэ зэрыхуаIэтам елъытауэ, щхьэж и кIэн къызэрикIым хуэдэу. Республикэм щыпсэухэм лэжьыгъэхэм зы-щыщагъэгъуэзэну Iэмал яIэщ Къанокъуэ Арсен и Инстаграм напэкIуэцIым: @kanokov_arsen. ЦIыхум къылъысу зы проектым папщIэ Iэ иIэтыну хуиту аращ. Абы щхьэкIэ проектым ухэзыгъэгъуазэ тхыгъэм кIэщIэптхэн хуейуэ аращ уигу ирихьа лэжьыгъэр зыхуэдэр. Онлайн IэIэтыр щэкIуэгъуэм и 25-м иухынущ. Къанокъуэ Арсен къызэригъэпэща Iуэхур псапащIэ зэпеуэщ. Мылъкуу сом мелуани 5-рэ мин 250-рэ хухихащ. Мыхьэнэ зиIэ жэрдэм къыхэзылъхьэхэм, хьэрычэт Iуэху яублэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ щIалэгъуалэм я дежкIэ зэпеуэр щхьэпэщ. Ар цIыхухэм сэбэп яхуэхъун хуейщ я щIэныгъэм хагъэхъуэнымкIэ, IэпщIэлъапщIагъэ гуэрым зыхуагъэсэнымкIэ, нэгъуэщIхэмкIэ. ЛIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI зэпеуэм ирагъэхьа лэжьыгъэхэр. ХадэгъэкI Iуэхухэм, гъэш зехьэкIэм, бжьэ гъэхъуным, гъукIэ IэщIагъэм, медицинэм, спортым, анэдэлъхубзэм, дэрбзэрыным, пщэфIэным, техникэм, нэгъуэщIхэм ятеухуащ ахэр. Къыхэдгъэщыну дыхуейт адыгэ лъэпкъым и къэкIуэным хуэгъэпса Iуэхухэри зэрахэтыр. «Зы бзэ», «Сопсэлъэф», «Адыгэ псалъэ» проектхэр зытеухуар лъэпкъым анэдэлъхубзэр Iурылъынырщ. Адыгэ шхыныгъуэхэм, тхыпхъэхэм, лъэпкъ IэщIагъэхэм ятеухуа проектхэри щыIэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, абыхэм щIэщыгъуэ дыдэ зэрахэтыр. НафIэдз Мухьэмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101599.txt" }
Адыгэ шууейхэм дунейпсо утыкур ягъэбжьыфIэ Шы IуэхухэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм (FEI) хэIущыIу ищIащ шууейхэм илъэсым къриубыдэу къагъэлъэгъуа зэфIэкIыр. Урысей шууейхэм ящыщу япэ увыпIэр а сатырым щиIыгъщ Къалэ Мухьэмэд. Ар и фIыгъэщ иужьрейуэ екIуэкIа дунейпсо шууей зэхьэзэхуэм Мухьэмэд япэреипщIым зэрыщыхиубыдар. Къалэмрэ ар зытес Найсрэ апхуэдэ зэфIэкI къагъэлъэгъуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ урысей шу гупым я тренер Ездэч Мурат. Шууейхэм я зэфIэкIыр къыщыгъэлъэгъуа дунейпсо рейтингым Къалэ Мухьэмэд 27-нэу итщ. АдэкIэ долъагъу Махуэ Ахьмэд (110), Сибэч Артур (147), Джатэ Щамил (158), Тау Аслъэнбэч (173), Хъупсырджэн Залым (228), Щоджэн Щамел (250), ЦIыпIынэ Ислъам (255) сымэ я цIэ-унэцIэхэр. Псори Тхьэм иригъэфIакIуэ. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101603.txt" }
Олимп чемпион Махуэ Билал Дунейпсо Олимп комитетым и зи чэзу зэхыхьэу щэкIуэгъуэм и 12-м екIуэкIам хъыбар гуапэ къытхуихьащ — 2012 гъэм Лон-дон щызэхэта Олимп Джэгухэм я чемпион цIэр къыхуагъэфэщащ бэнэкIэ хуитымкIэ щэнейрэ дунейпсо чемпион Махуэ Билал. А хъыбарыр зэбгригъэхащ Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и пресс-IэнатIэм. «Ар ди IэщIагъэлIхэм, Урысей Федерацэм и Олимп комитетымрэ БэнэкIэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэмрэ зэдай лэжьыгъэщ. ЗэхэгъэкIыныгъэхэр илъэскIэ екIуэкIащ, куэдрэ чэнджэщащ. Узбекистаным щыщ Таймазов Артуррэ Куржым и лIыкIуэ Модзманашвили Давитрэ допинг зрахьэлIауэ къыщIагъэща нэужь, абыхэм медалхэр къытрахыжащ. А псори зэпалъытри, МОК-м унафэ ищIащ дыщэ медалитI ятыну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Олимп Джэгухэм щытекIуауэ къалъытащ Махуэ Билалрэ Ираным щыщ Гасеми Комейлрэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ, зэIущIэм хэта Дунейпсо Олимп комитетри адрей IэнатIэхэри Iуэхум захуагъэр и лъабжьэу зэрыбгъэдыхьар», — жиIащ УФ-м Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и президент Мамиашвили Михаил. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Олимп Джэгухэм зи хьэлъагъыр килограмми 120-м нэблагъэхэм я деж Махуэ Билал бэнэкIэ хуитымкIэ ещанэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ. «Шэч къытесхьэркъым медалыр Махуэм зэрыхуэфащэм. Билали, и адэ-анэми, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ щыщу абы къыдэщIхэми сохъуэхъу!» — жиIащ Мамиашвили. ЖЫЛАСЭ Замир.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101607.txt" }
Адыгэ унагъуэ дахэ Москва щекIуэкIащ «Илъэсым и унагъуэ-2021» урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуахэр щагъэлъапIэ зэIущIэ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, абыхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Къашыргъэхэ я унагъуэ дахэр. Тэрч районым щыщ Къашыргъэхэ Зурабрэ Дианэрэ щытекIуащ зэпеуэм и «Къуажэдэс унагъуэ» лIэужьыгъуэм. КъызэгъэпэщакIуэхэм яубзыхуа хабзэхэм тету, абы хэтащ къуажэм щыпсэу, жылэм и псэуныгъэр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI, лэжьыгъэм, творчествэм, спортым, сабийхэр гъэсэным ехъулIэныгъэхэр щызиIэ унагъуэхэр. Зурабрэ Дианэрэ унагъуэ зэраухуэрэ илъэс 17 мэхъу, сабиищ (зы щIалэрэ хъыджэбзитIрэ) яIэщ. Къашыргъэ Зураб къыхуагъэфэщащ «ФIы дыдэу и къулыкъум зэрыпэрытым папщIэ», «Милицэм и отличник», «Лэжьыгъэм къызэрыхэжаныкIам папщIэ», «Iэщэ къыщагъэсэбэп зэпэщIэтыныгъэхэм зэрыхэтам папщIэ», «Кавказым къулыкъу зэрыщищIам папщIэ» бгъэхэIухэр, КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и фIыщIэ тхылъ. Сабийхэм — фIыуэ зэреджэмрэ гъэсэныгъэ зэрахэлъымрэ къыпэкIуа щIыхь тхылъхэр. Урысейпсо зэхьэзэхуэр Iуэхугъуитхум теухуауэ екIуэкIащ: «Сабий куэд щапI унагъуэ», «УнагъуэщIэ», «Къуажэдэс унагъуэ», «Унагъуэ дыщэ», «Унагъуэр хабзэхэм я хъумакIуэщ». Мы гъэм абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ псоми щыщу унагъуэ мини 3-м щIигъу, финалым унагъуэ 366-рэ нэсащ, фIыхэм я нэхъыфIыжу 85-рэ къыхагъэщхьэхукIащ. Апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу унагъуи 5 зэпеуэм и лауреат хъуащ. ТекIуэныгъэ къэзыхьа унагъуэхэм дипломхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ иратынущ. Урысейпсо зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ УФ-м Лэжьыгъэмрэ псэуныгъэмкIэ и министерствэмрэ ЩытыкIэ гугъум къихута сабийхэм защIэгъэкъуэнымкIэ фондымрэ. Къэрал мыхьэнэ иIэу, «Илъэсым и унагъуэ» зэхьэзэхуэр иджы еханэу йокIуэкI. А зэманым къриубыдэу абы хэтащ къэралым и хэгъэгу псоми щыщу унагъуэ мин 18-м щIигъу. Зэхьэзэхуэр зыхуэгъэзар щапхъэ зытрах хъуну унагъуэ дахэм, щыпсэу щIыналъэм, къэрал псом я зыужьыныгъэм хуэлажьэхэм я пщIэр къэIэтыжынырщ. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101610.txt" }
Урысеймрэ Узбекистанымрэ адэкIи зэрызэдэлэжьэну щIыкIэр яубзыху Москва щызэхэтащ Урысеймрэ Узбекистанымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа 11 щIыналъэзэхуаку Зэхуэсышхуэр. Зэхыхьэм хэтащ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим, Узбекистан Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым инвестицэхэмрэ къэ-рал щIыб экономикэ зэпыщIэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ — инвестицэхэмрэ къэрал щIыб сатумкIэ и министр Умурзаков Сардор, Урысейм хыхьэ субъектхэм ящыщу пщIым (Къэбэрдей-Балъкъэр, Карелие республикэхэм, Самарскэ, Омскэ, Свердловскэ, Ульяновскэ, Челябинскэ, Ростовскэ областхэм, Журт автономнэ областым, Ставропольскэ крайм) я Iэтащхьэхэр, Узбекистаным и щIыналъэхэм я унафэщIхэр. Урысейм и Президент Путин Владимир Зэхуэсышхуэм хэтхэм захуигъазэу яхуигъэхьа тхыгъэм итщ: «Урысейр Узбекистаным и сатущIэгъу нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ икIи а къэралым хамэ хэкухэм сатууэ ядищIымкIэ етIуанэ увыпIэр тIыгъщ. Пандемием и лъэхъэнэми нэхъри зеубгъу ди къэралхэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ яIэ зэпыщIэныгъэм. 2020 гъэм сатууэ зэдэтщIар процент 16-кIэ нэхъыбэ хъуащ икIи доллар мелардих и уасэм нэблэгъэпащ». Форумым хэтхэм закъыхуигъэзащ Узбекистаным и президент Мирзиёев Шавкати. Абы къыхигъэщащ Урысейр Узбекистаным и экономикэм и инвестор нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр. «Мы зэманым урысей инвестицэхэр ди къэралым доллар меларди 10-м щыщIегъу икIи абы адэкIи хохъуэ. Шэч хэмылъу, щIыналъэхэр адэкIи зэдэлэжьэнымкIэ Iэмалышхуэхэр диIэщ. Дэ адэкIи пхыдгъэкIынущ зэгъусэу дгъэхьэзыр бизнес-проектхэр икIи промышленность, мэкъумэш IэнатIэхэм, щIыдагъэм, хущхъуэ гъэхьэзырыным, щэкIхэр зэIущэным елэжь, нэгъуэщI IэнатIэхэми IэмалыщIэхэр къыщызэдгъэпэщынущ. Зэхуэсышхуэм хыхьэу Урысеймрэ Узбекистанымрэ я щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр тепсэлъыхьащ зэрызэдэлэжьыну щIыкIэхэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дежкIэ Узбекистаныр и сату-экономикэ дарэгъу нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ щытщ. 2019 — 2020 гъэхэм къриубыдэу Узбекистаным сатууэ дащIыр процент 59-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Процент 12-кIэ хэхъуащ продукцэу яхуригъашэм, щIыналъэм къыщыщIагъэкIауэ нэгъуэщI хэкухэм ярищэм и процент 40-р а къэралым хуозэ. Ди республикэм Узбекистаным нэхъыбэу хурегъашэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр, сэхэкIхэр, крахмал, пхъэрэ абы къыхэщIыкIахэмрэ, фадэрэ псыIэфIхэмрэ, серчэ, IэфIыкIэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрохьэ Узбекистаным бжьэхуцым къыхэщIыкIауэ щащIахэр, какао, IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. 2019 гъэм Ташкент еблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэр, Узбекистаным ейхэр 2020 гъэм ди республикэм щыхьэщIащ. Сату-экономикэ, инвестицэ я лъэныкъуэкIэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэм и лъабжьэр мэкъумэш IэнатIэмрэ туризмэм щызэдэлэжьэнымрэщ. «КъБР-м хьэрычэт IэнатIэр щыдэIыгъынымкIэ и центрым» и ЩIыналъэ фондыр и щIэгъэкъуэну Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ хьэрычэтыщIэхэр дызэрыт илъэсым и щэкIуэгъуэм Узбекистан Республикэм кIуэну траухуащ, сату-экономикэ зэпыщIэныгъэхэм нэхъри зрагъэубгъун мурадыр яIэу. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101613.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыпэр иубыдащ «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэнымкIэ «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу 2021 гъэм зэфIагъэкIыну яубзыхуа лэжьыгъэхэм зэрехъулIэмкIэ къэралым пашэныгъэр зэрыщиIыгъым папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыхуагъэфэщащ Урысейм и Правительствэм и дипломрэ фэеплъ дамыгъэрэ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ ухуэныгъэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэхэм 2030 гъэ пщIондэ зэрызаужьыну щIыкIэм теухуа семинар-зэIущIэу щэкIуэгъуэм и 18-м Урысейм и вице-премьер Хуснуллин Марат Москва щригъэкIуэкIам. Зэхуэсым хэтхэм захуигъэзащ УФ-м и Президентым и Администрацэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Кириенкэ Сергей. Урысейм и Президент Путин Владимир IэнатIэм къыпэщыт къалэн нэхъыщхьэу къигъэувахэм ящыщщ псэупIэ, гъуэгу ухуэным ехьэлIа инфраструктурэ проектхэр гъэзэщIэныр. ЗэIущIэм хэтащ УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирек, УФ-м и Къэрал къэпщытакIуэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщI Маны-лов Игорь, УФ-м и Президентым и дэIэпыкъуэгъу Орешкин Михаил, Москва къалэм и Iэтащхьэ Собянин Сергей, щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, IэнатIэм епха еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэр, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм я лIыкIуэхэр. Хуснуллин Марат ухуэныгъэ IэнатIэм, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм зэрызиужьыну унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр зэпкърихыу къэпсэлъащ. Абы къыщигъэлъэгъуащ субъектхэм а лэжьыгъэм щаIэну мыхьэнэмрэ IэнатIэхэм зэрызаужьыну щIыкIэхэмрэ. Семинар-зэIущIэм щагъэлъэпIащ «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым къыщыхэжаныкIа щIыналъэхэр. Ар ирагъэхьэлIащ Урысейм и транспорт IэнатIэм илъэс къэс иригъэкIуэкI «Транспорт тхьэмахуэ» Iуэхум. ЩIыналъэхэр Iуэхум зэрехъулIэр лъэныкъуэ зыбжанэкIэ къапщытащ: проектхэр щIыныр зэрызэтеухуар, лэжьыгъэхэм я фIагъыр, иджырей технологиехэр къызэрагъэсэбэпыр, гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэныр къызэрызэгъэпэщар, зэгурыIуэныгъэхэр зэщIылIэнымкIэ яхузэфIэкIахэр, жылагъуэм пыщIэныгъэу хуаIэр. «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу 2021 гъэм зэфIагъэкIыну яубзыхуахэр гъэзэщIэнымкIэ къэралым пашэныгъэр зэрыщиIыгъым папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыхуагъэфэщащ Урысейм и Правительствэм и дипломрэ фэеплъ дамыгъэрэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ахэр къратыжащ Кириенкэ Сергей, Хуснуллин Марат, УФ-м и Президентым и дэIэпыкъуэгъу Левитин Игорь сымэ. Лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным къыщыхэжаныкIхэм ящыщщ Адыгэ, Тэтэрстан республикэхэр, Белгородскэ, Курскэ, Липецкэ, Мурманскэ, Оренбургскэ, Пензенскэ, Тульскэ областхэри. Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэрагъэпэщыжыну яубзыхуа гъуэгуи 183-м щыщу лэжьыгъэхэр щызэфIэкIащ 170-м, адрей къэнахэми я процент 92-р и кIэм нагъэблэгъащ. Зыхуей хуагъэзащ гъунэгъу щIыналъэхэр, республикэм и жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгу километри 116-рэ, километр 37-м гъуэгухэр къызэрагъэнэху Iэмэпсымэхэр, ущызекIуэну нэхъ дзыхьщIыгъуэджэхэм деж къэухьхэр щагъэуващ, лъэс зэпрыкIыпIи 116-р лъэпкъ мардэщIэхэм тету зэрагъэпэщащ. Семинарыр Iуэху щхьэхуэхэм щытепсэлъыхь гупурэ гуэша- уэ щытащ: административнэ лъэпощхьэпохэр, инвестицэхэр къыхалъхьэу ухуэныгъэхэр егъэжьэным текIуадэ зэманыр гъэмэщIэныр, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр: IэнатIэм зыщыIууэ гугъуехьхэмрэ ахэр дэгъэкIа зэрыхъумрэ, къалэ кIуэцI гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэныр, псэупIэщIэхэр щIынымкIэ щыIэ Iэмалхэр, ухуэныгъэхэр езыгъэкIуэкI IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэныр, нэгъуэщI Iуэхухэри щызэпкърахащ абыхэм. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "101617.txt" }
Хамэ щIыпIэм дыкъыумынэу, дурибынкъэ — дынэшэж! ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гукъэкIыжхэмрэ и тхыгъэхэмрэ Сирие Хьэрып Республикэм и ЛIыхъужь Абазэ Мамдухь Сирием и щыхьэр Дамаск (адыгэхэр абы ЩамкIэ йоджэ) дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэр 1947 гъэм къызэрагъэпэщащ. Абы къудамищ иIэжщ. Ахэр Хьэмус, Хьэлэб къалэхэм, Мэрдж-СулътIан къуажэм щолажьэ. Нэхъыбэу Хасэр зи ужь итыр хуэмыщIахэм ядэIэпыкъунырщ. Лъэпкъ хабзэр, бзэр хъумэнымкIи мыбы яхузэфIэкI щащIэ. Хасэм иIэщ езым и адыгэ къэфакIуэ гупи, абы и зэфIэкIыр куэдрэ хьэрып къэрал зыбжанэм щигъэлъэгъуащ. Хасэм хэтхэр сымаджэхэм ядоIэпыкъу, пщIэншэу дохутыр ирагъэIэзэ, хущхъуэхэр къыхуагъуэт, хьэщIэ къахуэкIуамэ, емыкIу къызэрамыхьыным пылъщ. Абазэ Мамдухь Щам дэт университетым и профессор Лаш Адыл зэрыжиIэмкIэ, Сирием ис адыгэхэр къызытехъукIыжахэр я адэжь Хэкум иIэпхъукIа нэужь, Тыркум, Балканым исащ. Илъэс тIощIым нэскIэ Югославием, Алы-джым, Болгарием щыпсэухэри, хэхэсхэм КъуэкIыпIэ ГъунэгъумкIэ яунэтIащ. Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр къызэрыгуэкI гуащIэрыпсэухэщ. 1967 гъэм екIуэкIа «махуих зауэр» зэриухыу Щам Iэпхъуащ Джулан лъагапIэхэм щыIа адыгэ къуажэ 12-м дэсахэр. 1948, 1956, 1967, 1973 гъэхэм екIуэкIа журт-хьэрып зауэхэм адыгэхэм лIыхъужьыгъэшхуэ щызэрахьащ. Хьет жригъэIэу, къикIуэт имыщIэу бийм пэщIэтащ Анзор Джэуад. Абы и цIэр дыщэпскIэ Сирием и тхыдэм итхащ. Джэуад зи унафэщI адыгэ шуудзэм 1948 гъэм лIыгъэшхуэ зэрихьащ. «Эль-Къунейтрэ и анэ» цIэ лъапIэр фIащащ Уджыхъу Iэминэ. Ар бийм иубыда къалэм къахудэмыкIыу илъэсийкIэ дэсащ. Сирием щыпсэу адыгэхэм, абазэхэм щIэныгъэлI, тхакIуэ зыбжанэ, дзэзешэ куэд къахэкIащ: Блэныкъуэ Хьэрун, Сэмгугъу Iэмин, профессор Лаш Адыл, тхакIуэхэу Къумыкъу Мамдухь, Дыгъужь ФуIэд, ДжэшкIэр Фадыл, Стащ Издин, генерал-лейтенантхэу Абазэ Мамдухьрэ Багъ Ауадрэ, генерал-майорхэу Шэрджэс Абдул-Хьэзиз, Бэрэтэр Рэмэдан, нэгъуэщI куэди. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум куэдрэ и цIэр щыжаIэ Абазэ (Маршэн) Хьэмдий и къуэ Мамдухь. Ар Мумсие къуажэ цIыкIум 1932 гъэм къыщалъхуащ. Адыгэ щIалэ хъыжьэм хэкум, лъэпкъым хуэлэжьэным и гъащIэр триухуат. Абазэр илъэс тIощIрэ зырэ щыхъуам уэгум итт, кхъухьлъатэ псынщIэхэр зэрихуэу. 1957 — 1958 гъэхэм абы и щIэныгъэм щыхегъахъуэ Къыргъызым. А зэманым Мамдухь къыдеджащ икIи ныбжьэгъуфI къыхуэхъуащ и ужькIэ Сирием и президенту хаха Хафез Асад. Кхъухьлъатэзехуэхэр щагъэхьэзыру Фрунзе дэт еджапIэ нэхъыщхьэр Абазэ Мамдухь фIы дыдэу къиухащ икIи абы къратащ дыщэ медалыр. 1978 гъэм Абазэр генерал-майор мэхъу. А зэманым ирихьэлIэу абы бийм и кхъухьлъатэу зыбжанэ къриудыхат икIи къэралым и цIэ нэхъ лъапIэ дыдэр — Сирие Хьэрып Республикэм и ЛIыхъужьыр — къыфIащат. Сэ мызэ-мытIэу сыхуэзащ Мамдухь, хъыбар гъэщIэгъуэн куэди къызжиIэжащ абы Сирием щыпсэу адыгэхэм, абазэхэм ятеухуауэ. Кавказым, адэжь лъахэм Абазэм къыхуиIэ лъагъуныгъэр инт, ныбжьэгъу куэд щиIэт Налшык, Черкесск, Мейкъуапэ, Сыхъум. Ахэр мащIэу фIэкIа зэримылъагъуфыр игу къеуэрт. Езым хуэдэу ХэкумкIэ гумащIэщ абы и къуэшитIри — Щам дэт Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу илъэс 16-кIэ лэжьа, Сирием и Парламентым и депутату щыта Шэрэфрэ, дзэм хэта, генерал-лейтенант Уэлидрэ. Абазэ Мамдухьщ Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу япэ генерал-лейтенант цIэр къызыфIащар. Илъэс зыбжанэкIэ ар къэралым и уэгу къарухэм я унафэщIу щытащ. 1982 гъэм фокIадэм и 3-м Мамдухь «Муслъымэн зэкъуэшхэр» партым хэт экстремист гупым яукIащ. 1982 гъэ Адыгэ ныбжьыщIэхэм я хьэщIэщ журналист ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Дамаск, 1969 гъэ, гъатхэпэм и 4 «Хэку» хасэм дызэпещIэ Хэкум и хъыбар пэж япэу зыIэрыхьахэр Сирием щыпсэу адыгэхэращ. Абы сэбэп хуэхъуащ 1957 гъэм щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я фестивалу Мэзкуу щекIуэкIар. НыбжьыщIэхэм я зэIущIэшхуэм Къэбэрдейм игъэкIуат къэфакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр, тхакIуэхэр, сурэтыщIхэр. Щами къикIат Сирием и лIыкIуэ гуп, адыгэ щIалитI яхэту. Мис апхуэдэу мамырыгъэм, ныбжьэгъугъэм и щыхьэрым — Мэзкуу — щызэрыгъуэтыжащ илъэсищэкIэ зэфIэкIуэдауэ щыта зэлъэпкъэгъухэр. Щам ягъэзэжа нэужь, фестивалым щыIа адыгэ щIалитIым гуфIапщIэ куэд къалэжьащ. Абыхэм ирата адресхэмкIэ къатхэурэ зэунэкъуэщ, зэIыхьлы куэд зэрыгъуэтыжащ. Хэхэс адыгэхэм щэнхабзэ пыщIэныгъэ яхудиIэн, ахэр ди гъащIэм щыгъуазэ ящIын папщIэ «Хэку» Хасэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр 1966 гъэ лъандэрэ Налшык щолажьэ. Абы и япэ тхьэмадэхэу хахат КIэрэф Къамболэтрэ Хьэмгъуокъу Барэсбийрэ. Иужьрей илъэс тIощIрэ тхум Хасэм и Iуэхум нэхъ зиубгъуащ. Убзыхуауэ щытщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр: лIыкIуэхэмкIэ зэхъуэжэныр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, мэкъумэш академием ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр еджакIуэ къэшэныр. Илъэс 44-рэ ирокъу «Хэку» Хасэм и къудамэм Сирием, Иорданием къикIа щIалэхэр, хъыджэбзхэр ди университетым щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну къызэрыригъэблагъэрэ. Иджыпсту Налшык що-джэ а къэралхэм, Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэу студент 200-м щIигъу. Ахэр щIэсщ дохутыр, инженер, агроном, экономист, егъэджакIуэ IэщIагъэхэр щызрагъэгъуэт факультетхэм. Налшык еджэныр щаухри я щIэныгъэм Мэзкуу щыпащащ Сирием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм я лIыкIуэ зыбжанэм. ГъукIэлI Хьудэ, Алий Фарукъ, Жэмбэч Омран, Бырсыр Орфан, Уэсмэн Сэлуэ, Джэтауэ Самие, Багъ Мухьэмэд, ГъуфIыджэ Рифэт сымэ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. «Хэку» Хасэм и къудамэм Адыгэ хасэхэм илъэс къэс щэ бжыгъэкIэ яхурегъашэ пэщIэдзэ классхэм анэдэлъхубзэр зэрыщаджын алыфбейхэмрэ ди тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI сабий тхылъхэмрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и псэукIэр къэзыгъэлъагъуэ фильмхэр. Ди республикэм теухуа кинолентIхэр Урысейм и щэнхабзэ центрхэм щагъэлъагъуэ икIи абыхэм я гуапэу еплъхэр адыгэхэм я закъуэкъым, атIэ хьэрып минхэми ахэр гурыхь ящохъу. Сирием щыпсэу адыгэхэм зэпымыууэ яIэрохьэ «Адыгэ псалъэ» (Налшык), «Адыгэ макъ» (Мейкъуапэ), «Черкес хэку» (Черкесск) газетхэр, «Зэкъуэшыныгъэ», «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэр. «Хэку» Хасэм и лэжьыгъэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ иIэщ зэкIэлъыкIуэным. Илъэс къэс дэ къыдогъэблагъэ къэрал куэдым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр. Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэс 80 щрикъум и щIыхькIэ зэхэта гуфIэгъуэм къедгъэблэгъа ди хэкуэгъухэм щыпсэу къэралхэм кIуэжа нэужь, яIуэтэжащ адэжь щIыналъэм щалъэгъуахэр, лъэпкъ зэкъуэтхэм я экономикэм, щэнхабзэм, бзэм зегъэужьыным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным къыщахьа ехъулIэныгъэхэр адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я щапхъэмкIэ я нэгу зэрыщIэкIар. 2001 гъэ Эль-КъунейтIрэ и анэ «Эль-КъунейтIрэ зэхэкъутам и курыкупсэм телъыджэу къыщызэтена унэ цIыкIум щопсэу фызыжь дыдэ хъуа Уадид Насиф. Абы оккупацэри игъэващ, къалэр зэракъутари и нэгу щIэкIащ, иджыпстуи Эль-КъунейтIрэ и дэтхэнэ махуэщIэ гугъуми жыджэру IуощIэ. Уджыхъу КIунэ — Сэ сыхуеямэ, сыдэкIыфынут къалэм, — жеIэ Насиф, — ауэ сыкъыдэнэмэ нэхъ къызощтэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, си фIэщ мэхъу Эль-КъунейтIрэ аргуэру псэ къызэрыхыхьэжынур, мэкъумэшыщIэхэм къызэрагъэзэжынур. Си фIэщ мэхъу мамырыгъэр Джулан лъагапIэхэм зэрыщызэфIэувэжынур»… Журналист Пересадэ Владимир 1978 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм и 26-м къыдэкIа «Правда» газетым апхуэдэу тридзащ. Корреспондентым зи гугъу ищIар адыгэ цIыхубзщ, абы и цIэ дыдэр Iэминэщ (адыгэ псори зэреджэр КIунэщ), езыри Уджыхъухэ япхъущ. Сэри 1981 гъэм Сирием сыщыкIуам Эль-КъунейтIрэ сыдыхьащ. Абы сыкIуэн и пэкIэ хьэрып къэрал зыбжанэм къыщыдэкI газетхэм, журналхэм Iэминэ щхьэкIэ ятхахэм щыгъуазэ зысщIащ. «ЛIыхъужьыгъэшхуэ зыхэлъ цIыхубзым — щIыхь, щIыхь, щIыхь!» — арат жиIэр Уджыхъум щхьэкIэ Дамаск къыщыдэкI «Баас» газетым. «Лъэпкъ къызыхэкIам хуэфащэщ а цIыхубзыр. Абы и лIыгъэр Жаннэ д’Арк ейм зыкIи къыкIэрыхуркъым», — тетт «Аль-Хьэуадес» ливан журналым. «НыбжьыщIэхэ, зауэлIхэ! Тефх щапхъэ Сирием ипхъу пэжым!» — къыхури-джэрт цIыхухэр иордан газет «Ад-Дустурым»… А псоми зы жьэу Iэминэ «Эль-КъунейтIрэ и анэ» цIэ лъапIэр фIащащ. Газетхэм, журналхэм къаIуэтэж къалэр 1973 гъэм журтхэм къаIэщIэкIыжа нэужь, Уджыхъухэ я унэм Сирием и президент Хафез Асад зэрыкIуар, Iэминэ зэрыIущIар. IэплIэ, ба хуищIу, «Упсэу, ди анэ дыщэ!» зэрыжриIap. …Эль-КъунейтIрэ машинэкIэ дыщыдэ- лъадэм, япэу дызыIущIар адыгэу къыщIэкIащ. Зи ныбжьыр илъэс 55-м ит ЛIыщIэ ФуIэд ООН-м и кIэлъыплъакIуэ сэлэтхэр зыщIэс унэхэр уэздыгъэкIэ зыгъэнэху моторыр игъэлажьэрт. Ар къытщыгуфIыкIащ, икIи ди машинэм къитIысхьащ «къалэр» дигъэлъагъуну. — Сэ сыкъыщыхъуари си гъащIэр щызгъэкIуари Хьинзиуан къуажэрщ. Километрищ къудейщ ар мыбы зэрыпэжыжьэр, — къы-джиIащ ЛIыщIэм. — Иджы Хьинзиуан зытеса щIыпIэр журтхэм я жыг хадэщ. Къуажэм дэса псори сионистхэм къыдахури, унэхэр ирахащ, итIанэ щIыр явэжри, мыIэрысей, тутей хасэжащ. Дэ къыдащIа дыдэр ялъысащ Барекъэ, Мударие, Сэлмэние, Мумсие, Жыуезэ, Хъышние, Мансурэ, Фэхьам, Биер эль-Хъаджэм, Фэрдж къуажэхэм. Абыхэм дэсахэм я нэхъыбэр адыгэт, абазэт. Машинэр хуэм дыдэу бгъэдохьэ унэшхуэ ныкъуэ зэхэкъутам. Япэм ар Эль-КъунейтIрэ нэхъ ин дыдэу дэта кинотеатр «Андалузиерщ». Дэ абы и пкIэунэм дыдокIуей, къалэр къэтплъыхьыну. Эль-КъунейтIрэ и теплъэр гущIыхьэщ. Къалэм зы мэжджыт, зы члисэ, нэгъуэщI зы унэ цIыкIу фIэкIа псэууэ къыдэнакъым. 1967 гъэм япэкIэ Джулан лъагапIэ куейм и щыхьэру щыта, цIыху мин 53-рэ зыдэса къалэр щыIэжкъым. Эль-КъунейтIрэ и къутахуэхэр журт хъунщIакIуэхэм ящIа щIэпхъаджагъэхэм я щапхъэщ. ЖыIэн хуейщ 1967 гъэм яубыду дэса псор щыдахуми, 1973 гъэм жэпуэгъуэ зауэр щекIуэкIа зэманми езы къалэр лажьэшхуэ емыкIыу къызэрызэтенар. Эль-КъунейтIрэ щызэхакъутар 1978 гъэрщ. ЗэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, къалэм дэкIын хуей щыхъум, журтхэм ар бульдозеркIэ, танккIэ, топкIэ гущIэгъуншэу зэхагъэлъэлъащ… «Андалузием» дыкъехыжа нэужь, ФуIэд дишащ Уджыхъу Iэминэ и унэм. Дэ дригъэблэгъащ Iэминэ и къуэ нэхъыщIэ Шыкъ Зухьди. «Илъэсий хъуауэ ди анэр япэ дыдэу Эль-КъунейтIрэ дэкIауэ аращ — и пхъур илъагъуну Щам кIуащ», — къыджиIащ Зухьди. ИтIанэ абы къытхуеIуатэ илъэс 81-м ит ныуэм оккупацэм щыгъуэ и фэм дэкIа псор. Къалэм дэсхэр щыдахум, Iэминэ щалъхуа Эль-КъунейтIрэ къигъэнэн идакъым. Ар куэдрэ журт комендантым деж яшащ, ауэ шынагъэкIи псалъэ дахэкIи цIыхубзыр ягъэдэIуэфакъым. ЗэрыпхъуакIуэхэм ялэжь щIэпхъаджагъэ псори игъэву, ауэ зэи мылъэуджыджэу, пагагъэшхуэ хэлъу и жьэгу мафIэр, и лъэпкъ напэр илъэсиблкIэ ихъумащ КIунэ. Къэхъуащ зэман фызыжьыр блынджабэм кIэрагъэувэу автоматхэр щыщхьэщагъэукIаи. Абы щыгъуэми къэскIакъым «Эль-КъунейтIрэ и анэр». — Ди анэм пщIэшхуэ къыхуэзыщIар Сирием и президентым и закъуэкъым, — къыпещэ адэкIэ Зухьди. — Адрей хьэрып къэралхэм я унафэщIхэри ди унагъуэ къихьащ, дыкъалъытащ. … Дэ Эль-КъунейтIрэ дыкъыщыдэкIыжым пшапэр зэхэуат. Джулан лъагапIэхэр щымт. КъыпфIэщIырт ахэр къалэ щымыIэжым хуэщыгъуэу. Жыжьэу уплъэмэ, Джебел аш-Шейх Iуащхьэм телъ уэсыр плъагъурт. Ар вагъуэу нэхут. А тэлайм сызэгупсысыр зыт: къигъэнэхужыну пIэрэ абы Эль-КъунейтIрэ и пщэдейр, илъагъужыну пIэрэ Уджыхъу Iэминэ и куэщIым иса и бын псори зэхуэсыжауэ? 1981 гъэ Дэнэ жэнэтыр здэщыIэр? Илъэс 42-рэ и пэкIэ и адэжь Хэкум — Къэбэрдейм — къигъэзэжат Iуащхьэмахуэ фIэкIуэда и бынхэм ящыщ зым — МахуэлI Рэмэзан. Сэ а тхьэмадэм, зи ныбжьыр илъэс 80-м нэблэгъам, мызэ-мытIэу сыIущIащ, хъыбар дахэ куэди къезгъэIуэтэжащ, хамэщIым езым щызэхилъхьауэ усэ зыбжани къезгъэ-джащ. Рэмэзан хуэдэ лIыжь гурыхуэ гъуэтыгъуейт. И ныбжьыр илъэс пщыкIутхум иту ар Дзэлыкъуэдэс къуажэм 1905 гъэм ирашат. Илъэс 62-кIэ МахуэлIыр хэхэсу щытащ, ауэ абы зы сыхьэти, зы махуи и Хэкужьыр игу ихуакъым. Рэмэзан Тыркум исащ, иужькIэ Сирием щыщ Хъэнэсыр адыгэ къуажэм Iэпхъуащ, бэлыхьу щыIэр игъэващ, бэIутIэIу куэдым хэхуащ. Ар тырку беижьхэм яхуэпщылIащ, франджыхэм Сириер щаIыгъа зэманым гугъу ирагъэхьащ. Абы щыгъуэт мы сатырхэр Рэмэзан щызэхилъхьари: Хьэр яукIым — драбашщ, Шынэмэ — драхъумакIуэщ. Я Iуэху зэфIэкIмэ — драхьэщ. ИкIи драмысэкъым, ИкIи драмыщэкъым, ИкIи дращIасэкъым. «Сыт щыкуэд?» — жыфIэрэ фыкъыдэупщIым, Къурей щIыбым щыIэ нэгъуейм Я махъшэм ишхыу, Къадзыгъуэ банэкIэ еджэу, Ар ди бэвщ… Унэ дощIри щIым щIыдотIэ, ЯтIэр ди унащхьэ бгъэнщ, Къыщемышхым къыпхыжыркъым, Уэшх къешхым, къыпхож. Жыхьэнмэбжэр IитIкIэ Тхьэм иригъэубыд Мыбы ди къэкIуэным Сэбэп хуэхъуам! Мы усэм МахуэлIыр щыбгэу къыфщыхъуми, ар фымыгъэщIагъуэ. Къэбэрдейм къэкIуэжу и лъэпкъэгъухэм я гукъеуэхэр зэриIуэтэжа къудеймкIэ абы лIыгъэ зэрихьащ. «Мэчэ-Мэдинэ щыIам, хьэж зыщIам жэнэтыр хухахауэ жаIэ… Кавказыр зылъэгъуа хэхэсым хьэкъыу пхыкIын хуейщ: жэнэтыр здэщыIэр Хьэрыпыр аракъым, атIэ Адэжь Хэкурщ!» — жиIэгъащ лIыжь Iумахуэм, Къэбэрдейм къэкIуэжауэ. Къэбэрдейм гу щимыхуэурэ, Рэмэзан дунейм ехыжащ. Си дежкIэ зи Хэкур фIыуэ зылъагъу цIыхум и нэхъ щапхъэфI дыдэт ар. «Дуней хъурейр ятIагъуэ цIынэ IэшкIэ къудейщ, абы уи адэшхуэхэм ягъэхуэба щIыналъэ мащIэ хэмылъмэ, уи гъащIэр зы гъунэ гуэрым щынэсым деж, ар нэгъуэщIхэм яIэщIэплъхьэжын хуэмеймэ», — апхуэдэут зэрыгупсысэр МахуэлIхэ я тхьэмадэ жьыщхьэ ма-хуэр. ТхакIуэ Уэтэр Сами ТхакIуэ Хъуэст Надия Профессор Лаш Адыл Щам дынэсащ… 1398 гъэм Сэри сигу къэзгъэкIыжынщ илъэс 34-рэ и пэкIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа щIалэгъуалэ гупым я гъусэу сызэрыщыIар. Муслъымэн махуэгъэпсым тепщIыхьмэ, дэ Сирием дынэсащ 1398 гъэм, гъатхэпэ мазэм и 13-м. ИжьымкIэ етIуанэр ЖыркIагуэ Хьисэщ. Щам щопсэу цIыху мелуаным щIигъу. Сирием уеджэ хъунущ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и дыгъэкIэ. Пасэрей зэманым мы щIыналъэм теса, абы зиужьыным зи пщIэнтIэпс хэзылъхьа лъэпкъ псори къебжэкIыгъуафIэкъым: аморитхэр, хьетхэр, вавилонхэр, ассирийхэр, халдейхэр, финикийхэр, арамейхэр, къэжэрхэр, алыджхэр, урымхэр, монголхэр, тыркухэр… Ебланэ лIэщIыгъуэм Сирием и тафэхэмрэ къуакIэбгыкIэхэмрэ яубыдащ хьэрыпхэм. Адыгэ мамлюкхэри илъэси 135-кIэ щытепщащ Мысырым, Палестинэм, Сирием. Ноби Щам щыболъагъу Кавказым и къуэ хъыжьэхэм ХV — ХVI лIэщIыгъуэхэм ирагъэщIа мэж-джытхэр, чэщанэжьхэр, быдапIэхэр, псыIэрышэ гъуэгухэр. Щам дэт музейм щIэлъщ адыгэ къамэ, сэшхуэ, Iэмэпсымэ куэд. А псори ди гупым хэтхэм яфIэгъэщIэгъуэнт, ауэ дэркIэ нэхъ гунэсыр Сирием щыпсэу адыгэхэм я гуапагъэр, я гулъытэр, хьэщIагъэу къыдахырт. Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми и нэгум абыхэм иралъагъуэрт адэжь хэкум и IэфIыгъэри, абы и теплъэ дахэри. КъунейтIрэ щыщ адыгэ футболисхэм я джэгукIэм йоплъ Щам дэс ди лъэпкъэгъухэр. 1966 гъэ, мэкъуауэгъуэ мазэ Налшык икIа гупым хэтт Аруан районым щыщ нар-тыхугъэкI Фомыт Iэмырбий, комсомол лэжьакIуэхэу Мэлбахъуэ Светланэ, Ефэнды Феликс, Щэныбэ Ритэ, Къалэбэч Мухьэдин, сурэтыщI Iэзэ Пащты Герман, кино тезых Губарев Виктор, усакIуэ Ацкъан Руслан, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу Иуан Владимиррэ Балъкъыз Валерэрэ, экономист Щэрмэт Мухьэмэд, агроном Тэнащ Бэч, дохутырхэу Хъурей Маринэрэ ТIыхъужь Светланэрэ, студентхэу Шыбзыхъуэ Iэсият, Шырыт Аслъэн, Хьэгъур Мадинэ, егъэджакIуэ Мамхэгъ Мысост. Ди гупыр игъэгушхуэрт, абы и набдзэт Къэхъун къуажэм щыщ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ ХьэхъупащIэ Хьэсэн. Абы и цейр екIут, къамэр, хьэзырхэр зэщIэлыдэрт, шыкIэпшынэр иIыгъ зэпытт. Хьэсэн Сирием ис адыгэхэр и уэрэдхэмкIэ итхьэкъуат. ЩIалэгъуалэ гупым концерт программэ дгъэхьэзырат. Дамаск дэт Совет щэнхабзэ центрым дэ ар щыдгъэлъэгъуащ. Щам щигъэщIа махуитIым триухуа усэщIэхэм Ацкъан Руслан къоджэ. Абы кIэлъокIуэ ХьэхъупащIэр. Хьэсэн, шыкIэпшынэр щIэту, уэрэдитI егъэзащIэ — «Губгъуэм ит тхьэрыкъуэ», «Си Рэмэзан». Балъкъызымрэ Иуанымрэ пэшышхуэм щIэсхэр фIыуэ зыщыгъуазэ хьэрып шыпсэ «Алий Бабарэ хъунщIакIуэ плIыщIымрэ» жыхуиIэм къытращIыкIыжа спектаклым щыщ пычыгъуэ ягъэлъагъуэ. Совет щэнхабзэ центрым щедгъэкIуэкIа пщыхьэщхьэ дахэм хьэрыпи, урыси, адыги, ермэлыи, хьэмшэрии кърихьэлIат. Псоми зыжьэу жаIэр зыт: «Афэрым, ди къуэшхэ, афэрым, ди шыпхъуфIхэ! ДывгъэгуфIащи, фи ехъулIэныгъэр нэхъыбэж хъуну дывохъуэхъу!» Апхуэдэ зэIущIэхэр дэ щыдиIащ Щам дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэми, Хьэлэб дэс ди хэкуэгъухэм я дежи. Дэнэ дашами, ди гъусэ зэпытт абыхэм ящыщ пщащэ, щIалэ куэд. «Фи гупым хэт дэтхэнэми и гум ирихь IэщIагъэ зригъэгъуэтащ е абы иужь итщ. Адыгэбзэ къабзэкIэ фопсалъэ, кавказыщIу дуней жэнэтым фыщопсэу, фызыхуейм фи Iэр тывогъахуэ. СССР-м ис дэтхэнэ лъэпкъми япэ фимыщамэ, я ужь фиткъым. Фыдинэщ, фыдипсэщ, фыдинабдзэщи, дяпэкIи фефIакIуэ зэпытмэ, ди гуапэщ», — къыджиIэрт тхьэмадэ жьыщхьэ махуэ ЖыркIагуэ Хьисэ, сэлам къыдихыжурэ. Журтхэм КъунейтIрэ къалэр зэтракъутащ. 1973 гъэ Жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Сэмгугъу Амин
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "15090.txt" }
Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24491.txt" }
ЗэрыдэIэпыкъур сэбэп хъурэ? Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан аппаратым и зэIущIэхэм ящыщ зым езым и чэнджэщэгъу Нэгей Рустамрэ сэрэ ди пщэ къыщрилъхьауэ щытащ жылагъуэхэр къызэхэткIухьу, къуажэдэсхэм ядэIэпыкъунымкIэ Правительствэм и программэхэр гъэзэщIа зэрыхъум деплъыну. Дызэрыщыгъуазэщи, апхуэдэ программэхэр куэд мэхъу икIи языныкъуэхэм деж къыщытщыхъу щыIэщ абыхэм папщIэ къаутIыпщ ахъшэр псыхэкIуадэ хъууэ. Ауэ къэралым и зэхэзэрыхьыгъуэу щекIуэкIа 90 гъэхэм, лэжьапIэншэхэм фIэкI нэгъуэщI зыми дэмыIэпыкъуу щыщытам еплъытмэ, иджыпсту федеральнэ программэ куэд щыIэщ къуажэдэсхэм я гъащIэр нэры-лъагъуу егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ. Ди дежкIэ абы иIэ мыхьэнэр нэхъри къеIэт, ди лъэпкъхэм я бзэхэр, щэнхабзэр, зэхэтыкIэр къуажэхэм иджыпсту нэхъ щыхъума зэрыхъуам къыхэкIыу. Апхуэдэ цIыхухэм адэкIи къуажэхэр зэрамыбгынэным хущIэкъун хуейщ. Властым иджыпсту къыгуроIуэ щIалэгъуалэр къуажэхэм къыдэнэн папщIэ ахэр зыхуей псомкIи къызэгъэпэщын, псом япэу щIэныгъэ куу зиIэ егъэджакIуэхэр, дохутырхэр, мэкъумэш IэщIагъэлIхэр, нэгъуэщIхэри жылагъуэхэм щыIэн зэрыхуейр. Тэмэму къэгъэсэбэпа хъумэ, къуажэм дэIэпыкъунымкIэ иджыпсту щыIэ программэхэр щIалэгъуалэм къуажэхэр емыгъэбгынэнымкIэ щIэгъэкъуэн хъуну ущыгугъ хъунущ. А мурадыр зэман жыжьэм хуумыгъэтIылъу икIэщIыпIэкIэ пхузэфIэгъэ-кIынущ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, республикэм и Прави- тельствэм Iуэху мытыншхэр къыпэщытщ: япэрауэ, апхуэдэ федеральнэ программэхэм ухыхьэфын хуейщ, абы къыдэкIуэу программэхэм ящыщу зыри пхуэгъэзэщIэнукъым республикэм и ахъшэ химылъхьэу. Абыи къыщынэркъым: апхуэдэ программэхэр къуажэм иджыпсту щыIэ гугъуехь куэдым ящхьэпрыкIыу, псоми ди зэхуэдэ мурад нэ-хъыщхьэм телэжьэн хуейщ. Дыщыуами сщIэркъым, ауэ Нэгей Рустам дэрэ Аруан районым щыIэ Старэ Шэрэдж, Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэхэр къыхэтхащ, ахэр къуажэ курыту, республикэм икуми нэхъ хуэзэу зэрыщытым къыхэкIыу. Мы жылагъуэхэм дэсхэр хъарзынэу щыгъуазэщ къуажэм социальнэ зыужьыныгъэ егъэгъуэтынымкIэ федеральнэ программэм, нэгъуэщI языныкъуэ программэхэми. ЦIыхухэм абыхэм ятеухуауэ яхэпсэлъыхьащи, я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ абыхэм зрагъэтх. Къуажэ администрацэхэм къызэрагъэпэща комиссэхэм унагъуэхэм я Iуэху зытетыр зэхагъэкI икIи щыIэ мардэхэм тету дэтхэнэм сыт хуэдэ дэIэпыкъуныгъэ етын хуейми, хэт и унэм къыгуищIыхьмэ зэфIэкIынуми, хэт унэщIэ къригъэжьэн хуейми зрагъащIэ. Зи чэзум пэплъэ къуажэдэсхэм я унэцIэхэр къуажэ администрацэр щылажьэ унэм фIэлъщ. Абы и фIыщIэкIэ псоми ялъагъу Iуэхур зэрыдэкIыр, мыбы нэфI-нейкIэ зэрыбгъэдэмыхьэр. «Къуажэ дохутыр» программэр зэрыщыIэм къуажитIри щыгъуазэщ, ауэ ар зыкIи къагъэсэбэпакъым — дохутыр амбулаторэхэр зыхуеину лэжьакIуэ псомкIи къызэгъэпэщащ. Къуажэ Iэтащхьэхэм яхузоIуэтэж зэрыIыгъыу сом мелуан 1,1-рэ къыIахын папщIэ Бахъсэн, Шэджэм районхэм щылажьэ дохутыр ныбжьыщIэхэр я IэнатIэм укIыжа хуэдэу ятхрэ аргуэру ахэр лэжьапIэ зэрагъэувымкIэ унафэ нэпцIхэр къащтэу къызэрыщыхъуар, мыбы фейдэ къыпыпх зэрыхъунур язоIуэкI. Администрацэхэм я Iэтащхьэхэу Хьэбжокъуэ Аслъэнрэ Къэгъэзэж Мартинрэ гъуэрыгъуэурэ (дэ абыхэм щхьэ-хуэ-щхьэхуэурэ депсэлъащ) къыджаIащ апхуэдэ мыл зэрытемыхьэнур. Ар икIи тэмэмщ — Бахъсэн, Шэджэм районхэм щыIэ унафэщI «губзыгъэхэм» ахъшэр ирагъэтыжащ икIи хабзэхъумэ органхэм я пащхьэ жэуап щахьын хуей хъуащ. Зэрыщыту къапщтэмэ, къащта программэхэм цIыхухэр щыгъуазэ зэращI щIыкIэр, дызэреплъымкIэ, тэмэм дыдэкъым. Аруан районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Хъуэст Жыраслъэн зэрыжиIэмкIэ, программэщIэ къыщащтам и деж район администрацэм Интернетым щиIэ сайтыр, районым и телевиденэр, район газетыр къагъэсэбэпурэ цIыхухэр абы щыгъуазэ ящI. Псори тэмэм хуэдэщ, районым нэгъуэщI Iэмалхэр щыIэкъым. Ауэ щIэупщIэн хуейщ: езы район администрацэр щымыгъуэзэнкIэ хъуну сайтхэм ящыщ гуэрым документ пыухыкIа зэрыралъхьам? Хъуэст Жыраслъэн къызэрилъытэмкIэ, апхуэдэ къэхъунукъым. Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, ар езыр щыгъуазэкъым блэбгъэкIынкIэ Iэмал зимыIэ, цIыхухэм я уней лъапсэхэм зегъэужьыным хуэунэтIа документ хэхам — къэралыр агропромышленнэ комплексым зэрыдэIэпыкъум зегъэубгъунымкIэ концепцэм. Абы щыгъуазэкъым къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэри. Ауэ къэгъэлъэгъуапхъэщ а программэм дэтхэнэ къуажэдэс унагъуэм и дежкIэ икъукIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. А псори къэплъытэмэ, щыуагъэ хъуну къыщIэкIынукъым къащта программэхэм цIыхухэр щыгъуазэ зэрыщIын хуей щIыкIэм ар зи къалэн министерствэхэр егупсысмэ. Утемыпсэлъыхьу къэбгъанэ хъунукъым къэралыр къуажэдэсхэм зэрадэIэпыкъум сэбэпу къыпэкIуэми. Къыхэгъэщыпхъэщ иджыпсту екIуэкI лэжьыгъэхэр зэбгъэпщэн щымыIэ жыхуаIэм хуэдэу зэрыиныр. БлэкIа илъэсхэм властыр зэи апхуэдизу къуажэдэсхэм ядэIэпыкъуакъым. Апхуэдэ программэхэм ящыщщ къуажэм социальнэ зыужьыныгъэ егъэгъуэтынымкIэ программэр, къуажэхэм дэс унэгъащIэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ ядэIэпыкъунымкIэ программэр, «Къуажэ дохутыр» программэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу абыхэм хеубыдэ къэралыр ныкъуэдыкъуэхэм, зыхузыфIэмыкIхэм, лэжьапIэншэхэм, къэхъуа гузэвэгъуэхэм я зэран зэкIахэм зэрадэIэпыкъури. Хэхауэ къэгъэлъэгъуапхъэщ Урысейм и Мэкъумэш банкри цIыхухэм кредиткIэ зэрадэIэпыкъур. Языныкъуэхэм къащыхъункIэ хъунщ банкымрэ абы щIыхуэ зритхэмрэ я Iуэхур щхьэхуэу, ауэ зэрыщытыр апхуэдэукъым. Япэрауэ, банкыр къэралым ейщ, абы зэригъакIуэри къэрал ахъшэщ. ЕтIуанэрауэ, льготэ зиIэ кредитхэр къэралыр цIыхухэм ядэIэпыкъун папщIэ яту аращ. Зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым апхуэдэ кредитхэм щхьэщатыкI ахъшэм и зэхуэдитIыр къэралым зэрахуипшыныр. Зи гугъу тщIы кредитхэр къеIызыхыфынур къуажэ администрацэм зыхуэфащэу къигъэлъагъуэхэрщ. Дызэрыт илъэсым апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэр Старэ Шэрэдж къуажэм щыщу цIыхуи 120-м, Шэрэдж Ищхъэрэм щыщу цIыху 30-м къагъэсэбэпащ. Администрацэхэм я Iэтащхьэхэм зэрыжаIэмкIэ, кредитхэр зыхухаха мурадхэм хуэгъэзауэ къагъэсэбэп. Абы кIыхьу сытепсэлъыхьыну сыхуейкъым, ауэ гу лъытапхъэщ: къуажэ администрацэхэм банкым щIыхуэ къеIызыххэм папщIэ зыхуэфащэ тхылъхэр ягъэхьэзыру аращ, ауэ а ахъшэр къызэрагъэсэбэпым зыри кIэлъыплъыркъым. Къэралыр къуажэм лъэныкъуэ куэдкIэ зэрыдэIэпыкъум и гугъу щыпщIкIэ, уи жагъуэ мыхъупIэ иIэкъым а ахъшэр къызэрагъэсэбэпым къыпэкIуэр икъукIэ зэрымащIэр. Район, къуажэ администрацэхэм дежкIэ IупщIу щыткъым къэралыр зыдэIэпыкъухэм а ахъшэм къыпэкIуа зыужьыныгъэу ялъэгъун хуейр зыхуэдэр. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан шэч къытрихьэркъым ахъшэр зытрагъэкIуэдэнур убзыхуауэ зэрыщытыпхъэм. Псалъэм папщIэ, жылагъуэ пыухыкIам щIалэгъуалэр къыдэIэпхъукIыу хуежьамэ, абы и щхьэусыгъуэр къызэрыгуэкIщ — къуажэм медицинэм и лэжьакIуэхэр щыIэкъым, цIыхум и узыншагъэм кIэлъыплъын, ар зыгъэхъужын яIэкъым. Зи IэщIагъэм хуэIэкIуэлъакIуэ егъэджакIуэхэр щыщымыIэкIэ, сабийхэр егъэджа хъуркъым. ЩIалэгъуалэр щIэIэпхъуэ апхуэдэ щхьэусыгъуэ къызэрыгуэкIхэр къызэбнэкIыфынущ жылэм IэщIагъэлIхэр щылэжьэну къапшэрэ абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи уадэIэпыкъумэ. Зыхуей хуэзэу псэу интеллигенцэр дэтхэнэ къуажэри зэщIэзыгъэуIуэ къару хъуфынущ. Дэ дыздэщыIа къуажитIым дохутырхэр, егъэджакIуэхэр, Iэщ дохутырхэр, адрей IэщIагъэлIхэри яхурокъу. Ауэ укIэлъыплъыжмэ, къыбгуроIуэ къуажэ школхэм зи къару илъыгъуэ егъэджакIуэ щIалэхэр къазэремэщIэкIыр. Зи ныбжьыр хэкIуэта егъэджакIуэхэм урокхэр езыхэм зэхуагуэшыжри, егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм лэжьыгъэ къахуэнэркъым. Абы къыхэкIыу, къуажэ администрацэхэр иджыпсту щыщIэдзауэ абы темыгузэвыхьмэ, райономрэ министерствэмрэ мы Iуэхур къыщамыIэтмэ, зэман гъунэгъум къриубыдэу сабийхэр езыгъэджэнур зи лъэм щIагъуэу зэримыхьэж цIыхухэрщ. Апхуэдэ гупсысэхэрщ кърикIуар зэпытча гъуэгуанэм щытлъэгъуам. Дыщыгугъынщ дяпэкIэ щытыкIэм зихъуэжыну. Къудей Владимир, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и дэIэпыкъуэгъу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24494.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Парламентым и унафэщIыр хах Адыгей. Республикэм и парламентым и унафэщIыр дыгъуасэ хахащ. Депутатхэм я нэхъыбэр и телъхьэу а къулыкъур дзыхь хуащIащ Адыгейм аграрнэ политикэмкIэ, мылъку, щIы Iуэху зэхущытыкIэхэмкIэ и къэрал советым и комитетым и унафэщI, «Урысей зэкъуэт» партым и фракцэм и пашэ Нарожный Владимир. Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий ехъуэхъуащ Адыгейм и Къэрал Советым — Хасэм и унафэщI хъуам. Властым и къудамитIыр республикэм щыпсэухэм я сэбэп зыхэлъхэм купщIафIэу телэжьэну зэращыгугъри къыхигъэщащ. Гулъытэ щхьэхуэ Къэрэшей-Шэрджэс. «Мамэрэ папэрэ къызолъыхъуэ» проектыр республикэм хъарзынэу щыпхагъэкI. 2011 — 2012 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу щIалэ, хъы-джэбз цIыкIу 265-м унагъуэщIэ къыхуагъуэтащ. Ар кърикIуащ КъШР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр, республикэм и Iэтащхьэмрэ правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэр, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр зэкъуэту а Iуэхум зэрытелажьэм. Республикэм къыщащтащ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэнахэмрэ мылъкукIэ защIэгъэкъуэным теухуа дэфтэрхэр. Абыхэм ящыщ зыщ сабий зыпIыну унагъуэхэм зэрадэIэпыкъуну щIыкIэр зыгъэбелджылыр. Псалъэм папщIэ, еджапIэхэм щIэсхэм транспортым пщIэ щIатынукъым, ахэр зэзыубыдылIа адэ-анэхэм ахъшэ иратынущ, медицинэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ, стипендиемкIэ, нэгъуэщIхэмкIи ядэIэпыкъунущ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24497.txt" }
Нобэ 1934 гъэм Свердловскэ, Челябинскэ областхэр къызэрагъэпэщащ. Академик, Социалист Лэжьыгъэм щэнейрэ и ЛIы-хъужь Курчатов Игорь къызэралъхурэ илъэси 111-рэ ирокъу. Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Темрокъуэ Анатолий и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу. УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ ПащIэ Еленэ къыщалъхуа махуэщ. Шэрджэс еджагъэшхуэ, химие щIэныгъэхэм я доктор Темырдащ Зэуал и ныбжьыр илъэс 57-рэ ирокъу. КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, республикэм щIыхь зиIэ и артист, культурологие щIэныгъэхэм я кандидат Къумахуэ Мухьэдин и ныбжьыр илъэс 47-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 0 — 2, жэщым щIыIэр градуси 2 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24499.txt" }
Къэзакъхэм я къалэн нэхъыщхьэр КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Тэрч къэзакъыдзэм и атаман Клименкэ Сергей Правительствэм и Унэм щыIущIащ. — Хабзэ хъуауэ, къэзакъхэмрэ дэрэ зэныбжьэгъуфIу дыкъызэдогъуэгурыкIуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я процент 25-р урысщ. Май, Прохладнэ районхэм, апхуэдэу Налшык къалэм къэзакъхэр зэуIуу щопсэу, — къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм. Къанокъуэ Арсен къытеувыIащ а куейхэм щыщхэр «зэрыгъэсам икIи зэрыгуащIафIэм». — Гугъуехьхэр щыIэми, абыхэм зэи властыр лъэпощхьэпохэм хагъэтакъым. Пэжщ, дэнэ щIыпIи хуэдэу, дэри щыщIэныгъэхэр диIэщ, ауэ пIалъэкIэ дызыхуэзэ гугъуехьхэр урысхэм къагуроIуэ, уеблэмэ республикэм зегъэужьыным хуэунэтIауэ къытпэщыт къалэнхэр гъэзэщIэным жыджэру хэтщ. Ди насыпщи, лъэпкъ зэпэщIэуэ ди деж щыIэкъым, — къыхигъэбелджылыкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм. Клименкэ Сергей зэрыжиIамкIэ, Тэрч къэзакъхэм зэрызаужьыну щIыкIэр яубзыхуныр и кIэм нагъэблагъэ, ар зэфIэкIмэ, щIыналъэхэм я властхэри къэзакъ округым и къудамэхэри абы хагъэгъуэзэнущ. Атаманым къызэригъэлъэгъуамкIэ, а тхылъым «щIэ куэд» хагъэхьэнущ. Абы къызэрилъытэмкIэ, къэзакъхэм я къалэныр властым и сыт хуэдэ Iуэхури щIыпIэхэм щадэIыгъынырщ. — Нэхъыщхьэр лъэпкъ зэщыхьэрэ зэпэщIэуэрэ къэмыгъэхъунырщ. Мамыру, зэгурыIуэ яку дэлъу къэзакъхэр игъащIэми я гъунэгъухэм ядопсэури, дяпэкIи абы дытетынущ, — дыщIигъужащ атаманым. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24501.txt" }
Къанокъуэ Арсен: «ЩIым хэпсэрщ къепхьэлIэжынур» Республикэм и Iэтащхьэр журналистхэм щепсалъэм зэпкърыхауэ къигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш IэнатIэм нэрылъагъуу зэрызыщиужьым и хэкIыпIэхэр: — «Бжьыхьэ дыщафэ-2012» урысейпсо агропромышленнэ гъэлъэгъуэныгъэм здэщыIэм къэралым и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий хуабжьу игу ирихьащ килограмм ныкъуэ зи хьэлъагъ ди мыIэрысэхэм я фIагъымрэ теплъэмрэ. Абы щыгъуэ къыдэлъэIуащ къыкIэлъыкIуэ илъэсым зы килограмм къэзышэч мыIэрысэхэр къэдгъэкIыну. Апхуэдэ зыужьыныгъэ мэкъумэш IэнатIэм щIиIэр къыбгурыIуэну гугъукъым. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щагъэбелджылауэ щытащ мы IэнатIэм зэрызрагъэужьыну щIыкIэр. Абы ипкъ иткIэ мэкъумэшыщIэ-фермер хозяйствэхэм дадоIэпыкъу, дяпэкIи дадэIэпыкъунущ. Мыбдеж дэ хэкIыпIэ нэ-хъыщхьэу къыдолъытэ агропромышленнэ комплексым дэIэпыкъу банкхэм я кредит политикэр зэгъэуIуныр, апхуэдэу мэкъумэш IэнатIэм мэкъумэшхэкIхэр къэгъэкIынымкIэ, хъумэнымкIэ, абыхэм елэжьынымкIэ дунейм щыIэ технологие нэхъыфI дыдэхэр къэгъэсэбэпыныр. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, эксперт куэдым къалъытэ Налшык пэгъунэгъуу къыщызэрагъэпэща иджырей предприятэр Урысейм и мызакъуэу, нэгъуэщI къэралхэми пхъэщхьэмыщхьэр щызыгъэкI IуэхущIапIэ инхэм япеуэфыну. Италием щагъэунэхуа технологиехэм тету пхъэщхьэмыщхьэм и бэвагъыр хуэдэ зыбжанэкIэ нэхъыбэ яхуэщIынущ. Иджы щыщIэдзауэ республикэм пхъэщхьэмыщхьэ, мэракIуэ лIэужьыгъуэ нэхъыщхьэхэмкIэ нэсу зыкъызэрегъэпэщыж. Ди деж щагъэкI жыгыщIэхэр ящэхуурэ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми яшэ. 2008 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым пасэу къызыпыкIэ жыг хадэу гектар миным щIигъу щыхасащ. 2020 гъэм нэсыху КъБР-м иджыри гектар минипщIым нэблагъэ щыхасэнущ. Жыг хадэхэм зегъэубгъуным къыгуэпх хъунукъым иджырей хадэхэкI, пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр ухуэныр. Республикэм иджыпсту апхуэдэ хъумапIэу тIу щолажьэ, дэтхэнэми тонн мини 5 щIэхуэу. Апхуэдэ хъумапIэ зыбжанэ дяпэкIи ящIынущ икIи абыхэм псори зэхэту пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу тонн мини 100 щахъумэфынущ. Агропромышленнэ комплексым зегъэужьынымкIэ концепцэм ипкъ иткIэ хьэрычэт Iуэху мыиным къыхашэнущ республикэм и къуажэхэм щыпсэухэм ящыщ куэд икIи ар сэбэп хъунущ жылагъуэхэм я экономикэр къаIэтынымкIэ. Фермерхэр щрагъэджэну я мурадщ Бахъсэн районым къыщызэIуаха агропромышленнэ инкубаторым. А псоми я фIыщIэкIэ зэман кIэщIым къриубыдэу лэжьапIэншэхэм я бжыгъэм кIэрыхунущ, къуажэдэсхэм я Iуэхухэри ефIэкIуэнущ. Дэтхэнэ хэгъуэгум и унафэщIми хуэдэу, си дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ ди республикэм щыпсэухэр IэнатIэ пыухыкIахэм пэрыту щытыным е езыхэм я щхьэ Iуэху зэрахуэжыным. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, къэралыр зэрадэIэпыкъу щIыкIэмрэ ар къызэрыIах хъунумрэ щымыгъуазэхэр куэдщ. ЦIыхухэм юридическэ щIэныгъэ зэрабгъэдэмылъым къыхэкIыу, субсидие е грант къыIах зэрыхъунум хащIыкIыркъым. Апхуэдэу щытын хуейкъым. Дэтхэнэми чэнджэщкIэ дэIэпыкъупхъэщ. Абы папщIэ иджыпсту республикэм бизнес-инкубатору 4, абыхэм ящыщу тIур Налшык къалэ, Прохладнэ, Бахъсэн районхэм зырыз щолажьэ. А псоми къадэкIуэу, республикэм бизнес проект зыбжанэ щагъэзащIэ лыуэ, гъэшу къалэжьым хэгъэхъуэнымкIэ программэхэм хиубыдэу. Апхуэдэу лэжьыгъэм пэрыувагъащIэ фермерхэм ядэIэпыкъуным, мэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэхэм унагъуэ Iэщ фермэхэр къыщызэгъэпэщыным теухуа программэ щхьэхуэми елэжьу щIадзащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэ псоми 2012 гъэм и щIышылэ — фокIадэ мазэхэм къриубыдэу мэкъумэшхэкIыу сом мелард 21,3-рэ и уасэ къалэжьащ. Ар нэгъабэ и апхуэдэ зэманым елъытауэ нэрылъагъуу нэхъыбэщ. ЗэрыжаIэщи, щIым хэплъхьэрщ къепхьэлIэжынур. Апхуэдэу щыщыткIэ, гъавэ нэхъыбэ зыхуей хуэзэу тетсэнущ. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьынымкIэ щапхъэ зытрахын проектыр ди республикэм щагъэзащIэу щIадзэнущ. Псори зэрыщыгъуазэщи, ди республикэм иджыблагъэ щыIащ къэралым мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министр Федоров Николай Василий и къуэр. Абы ди агропромышленнэ комплексым и щытыкIэм щыгъуазэ зищIа нэужь, дызэгурыIуащ проект пэрытым дытелэжьэну. Министрым къызэрилъытамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и мызакъуэу, Iуэху щхьэхуэхэмкIэ къэралми щыпашэщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, республикэм дяпэкIэ ахъшэ нэхъыбэ къыIэрыхьэнущ, предприятэщIэхэр къыщызэIуахынущ, цIыху нэхъыбэм щылэжьэн IэнатIэхэр ягъуэтынущ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24504.txt" }
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24506.txt" }
Щикъухьащ адыгэр дунеижьым
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24508.txt" }
ТВ нэтынхэр 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, щIышылэм и 21 7.00 Мультфильм 7.20 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 7.45 «ГъущI зу макъ». УФ-м и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI ПIаз Александр 8.20 «49-нэ каналым и пощт». (12+) 18.00 «Ойнай-кюле». ГушыIэ программэ (балъкъэрыбзэкIэ) 18.25 «ЩIэныгъэлI». Филологие щIэныгъэхэм я доктор БищIо Борис (адыгэбзэкIэ) 19.25 Мультфильм 19.45 «Зэманыр. Къэхъуахэр. ЦIыхухэр». Ефэнды Джылахъстэн и тхылъыр утыку кърахьэ 20.15 «ЕгъэджакIуэ». Налшык къалэ дэт 1-нэ курыт школым балъкъэрыбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж, анэдэлъхубзэмкIэ езыгъаджэхэм я Урысейпсо зэпеуэм щытекIуа Конаковэ Любэ (балъкъэрыбзэкIэ) 20.45 «УпщIэм и гъуэгуанэ». Адыгэхэм я IэпщIэлъапщIагъэм теухуауэ (адыгэбзэкIэ) 21.15 «Мадинэ». ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэм къытращIыкIа телепостановкэ (адыгэбзэкIэ) Гъубж, щIышылэм и 22 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Тхьэм и унэм ухуэзышэ гъуэгу». Александровскэ жылэр 7.35 «Ди щIэин». Балъкъэр лъэпкъ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.55 «Даущым и макъамэ». Журт Хьэсэн и сурэт гъэлъэгъуэныгъэм теухуауэ (адыгэбзэкIэ) 8.25 «Уэрэдыр ди гъащIэ дамэщ». Эстрадэ уэрэдым и концерт. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) 18.00 Мультфильм 18.10 Рахаев Даниял и фермер хозяйствэр (балъкъэрыбзэкIэ) 18.25 «Тхыдэтх. Философ. УщиякIуэ». Философие щIэныгъэхэм я доктор Унэж Кашиф. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) 19.25 Мультфильм 19.40 «Тайм- аут». «Кавказым и пшэплъхэр» джип-фестивалу Ингушым щекIуэкIар 19.55 НыбжьыщIэхэр гъэсэным пыщIа гугъуехьхэр (12+) 20.25 Сурэттех Толгуров Камал (балъкъэрыбзэкIэ) 20.55 «Гухэлъ макъамэхэр». Пшынауэ Бер Мадинэ (адыгэбзэкIэ) 21.20 «Ди псэлъэгъухэр». ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннэ (адыгэбзэкIэ) Бэрэжьей, щIышылэм и 23 7.00 Мультфильм 7. 20 «И гъащIэр гъуазджэм пыщIауэ». СурэтыщI Абей Iэсият 7.50 «Зэманым и гъуджэ». Лэжьыгъэм и ветеран, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щыта Чеченовэ Маймулат (балъкъэрыбзэкIэ) 8.25 «Уэрэдыр ди гъащIэ дамэщ». Эстрадэ уэрэдым и концерт. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) 18.00 «Дыгъэм и деж хьэщIапIэ». Холам аузыр (балъкъэрыбзэкIэ) 18.25 «Тхыдэтх. Философ. УщиякIуэ». Философие щIэныгъэхэм я доктор Унэж Кашиф. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) 19.25 Мультфильм 19.35 «Си щиху дыщафэ». УсакIуэ Къылышбий Исмэхьил 20.10 «Насып». Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр зыгъэзащIэ Дугоев Хьэжмурат 20.40 «Лъэужь». ЩIэныгъэлI, тхакIуэ МафIэдз Сэрэбий (адыгэбзэкIэ) 21.10 КъБР-м гъуазджэмкIэ и лэжьакIуэхэм я концерт. ПэщIэдзэр 21.40 «Зи чэзу псалъэмакъ» Махуэку, щIышылэм и 24 7.00 Мультфильм (6+) 7.I0 «Шапито». «Псым тет цирк». Япэ Iыхьэ 7.55 «IэщIагъэлI». Хьэмырзэ Руслан (адыгэбзэкIэ) 8.15 «Сэлам алейкум!». Махуэшхуэ къыдэкIыгъуэ. Япэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ) 18.00 «Фи пшыхь фIыуэ!». Концерт. ПэщIэдзэр. Эстрадэм и муниципальнэ театр 19.25 Мультфильм (6+) 19.33 «ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу». Сабий сымаджэхэм ядэIэпыкъуным теухуауэ 19.50 «ЦIыхугъэмрэ уахътыншагъэмрэ». Кулиев Къайсын (балъкъэрыбзэкIэ) 20.20 «Ууаз» 20.50 «Си гупсысэхэр». УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил (адыгэбзэкIэ) 21.25 КъБР-м гъуазджэмкIэ и лэжьакIуэхэм я концерт. КIэухыр Мэрем, щIышылэм и 25 7.00 Мультфильм (6+) 7.05 «Шапито». «Псым тет цирк». ЕтIуанэ Iыхьэ 7.50 «Жьыщхьэ махуэ». Лэжьыгъэм и ветеран Къэзанш Хьэпагуэ (адыгэбзэкIэ) 8.20 «Салам алейкум!». Махуэшхуэ къыдэкIыгъуэ. ЕтIуанэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ) 18.00 «Фи пшыхь фIыуэ!». Концерт. КIэухыр. Эстрадэм и муниципальнэ театр 19.25 Мультфильм 19.30 «Щэнхабзэ -2012». Щэнхабзэ хъыбарыщIэхэр 20.10 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ». Драматург Жантуев Исса (балъкъэрыбзэкIэ) 20.35 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) 21.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Щэбэт, щIышылэм и 26 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Зэчийм и гъунапкъэхэр». Сарбашев Азнор (балъкъэрыбзэкIэ) 8.05 «Адыгэ шхыныгъуэхэр» (адыгэбзэкIэ) 8.25 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 17.55 Мультфильм 18.15 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 18.35 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». ШэкIыхьэщIэ Лолэ. 19.00 «ЩIэныгъэлI» . ЩIэныгъэлI-кавказыдж Турчанинов Георгий (адыгэбзэкIэ) 19.35 «МардэщIэхэр». ПэщIэдзэ еджапIэм федеральнэ программэр щыхэпэщэн 20.05 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Евтушенкэ Николай 20.50 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, щIышылэм и 27 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 УсакIуэ-зэдзэкIакIуэ Пряжников Александр 7.45«Ойнай-ойнай». ГушыIэ программэ (балъкъэрыбзэкIэ) 8.00 «Псэм и лъахэ». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, композитор Жырыкъ Заур (адыгэбзэкIэ) 8.25 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 19.00 «Зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкIхэр». УФ-м и МВД-м и Краснодар университетым и Налшык къудамэм и лэжьыгъэм теухуауэ 19.25 «ЗэIущIэхэр». УсакIуэ Мусукаевэ Сакинат (балъкъэрыбзэкIэ) 19.45 «Къафэм и гуащэ» УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шэру Соня (адыгэбзэкIэ) 20.20 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, щIышылэм и 21 Сыхьэт 12 пщIондэ лажьэркъым. 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын. 21.15 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр. Гъубж, щIышылэм и 22 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын. 9.30 «Макъамэ пощт». 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «Литературэм и лъахэ» программэр. 21.10 «Зэманым и лъэужь» программэр. Бэрэжьей, щIышылэм и 23 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 Ретро ТВ. «Тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр». Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор МафIэдз Сэрэбий. Махуэку, щIышылэм и 24 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «Нобэ япщэфIхэр». 9.30 «Макъамэ пощт». 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» программэр. 21.10 ТхакIуэ Чипчиков Борис. Мэрем, щIышылэм и 25 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр. 20.40 «ВОЯЖ» программэр. Щэбэт, щIышылэм и 26 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 10.05 «Нобэ япщэфIхэр». 10.35 «Макъамэ пощт». Тхьэмахуэ, щIышылэм и 27 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр». 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. КъБР-м и радио Блыщхьэ, щIышылэм и 21 Сыхьэт 11-рэ дакъикъэ 45-рэ пщIондэ лажьэркъым. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 13.15, 16.10, 18.10 13.25 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар». 13.45 — 14.00 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 16. 25 «Гум и къеуэкIэ». 16.45 — 17.00 «Макъ». Жылагъуэ-политикэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). Гъубж, щIышылэм и 22 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.15, 16.10, 18.10 7.25 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ». 13.25 «ЦIыхухэмрэ гъащIэхэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 13.40 — 14.00 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 16.25 «Кавказым и симфоние». 16.45 — 17.00 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). Бэрэжьей, щIышылэм и 23 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.15, 16.10, 18.10 7.25 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Беппаев Сергей уэрэд жеIэ. «Си уэрэдыр уэращ» (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 «Ди зэманыр». 13.45 — 14.00 «Дунеймрэ абы щыпсэу цIыхумрэ» (адыгэбзэкIэ). 16.25 — «Зэпсэлъэгъухэр». 16.45 — 17.00 «Фейдэ». Экономикэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ). Махуэку, щIышылэм и 24 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.15, 16.10, 18.10 7.25 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «И чэзу дыдэщ». 13.25 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 13.40 — 14.00 «ЩIалэгъуэ» (адыгэбзэкIэ). 16.25 «Дэтхэнэри щIыхьэну хуит ящI». 16.45 — 17.00 «Уи гъунэгъур фIыуэ лъагъуф…» (балъкъэрыбзэкIэ). Мэрем, щIышылэм и 25 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.15, 16.10, 18.10 7.25 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Iуащхьэмахуэ щыгум щыIу уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ). 13.25 «Псоми папщIэ эфир» (адыгэбзэкIэ). 13.45 — 14.00 «Бгыхэм я макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 16.25 «Гъуазджэм и щIыналъэ». 16.45 — 17.00 «Iуэху еплъыкIэ» (балъкъэрыбзэкIэ). Щэбэт, щIышылэм и 26 10.10 — 11.00 «Кавказым и пшэплъхэр». 12.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» (адыгэбзэкIэ). 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 «Динэ». ЦIыхубзхэм папщIэ радиожур-нал. Тхьэмахуэ, щIышылэм и 27 10.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». 10.25 — 11.00 «Шаудан» Радиожурнал (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10 «Жаншэрхъ» (адыгэбзэкIэ). 12.25 — 13.00 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24513.txt" }
ГъащIэ купщIафIэ Гупым и унафэщIу, и пашэу ущытыныр ар Iуэху къызэрыгуэкIкъым. Iэтащхьэм и дэтхэнэ псалъэми IэнатIэр иригъэфIакIуэу, цIыхупсэм зригъэузэщIу, гупыр ехъулIэныгъэщIэхэм хуишэу щытын хуейщ. Ауэ щыхъукIи, ар езыр и дуней тетыкIэкIи, и Iуэху зехьэкIэкIи, и хьэл-щэнкIи зи пашэхэм щапхъэ яхуэхъуфрэ жэрдэмыщIэхэм я узэщIакIуэу щытыпхъэщ. Зи гугъу тщIы унафэщI щыпкъэхэм хуэдэщ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь республикэ центрым (ЦРТДЮ) и пашэ Безрокъуэ Еленэ Уэсмэн и пхъур. КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Еленэ лэжьыгъэм щыпэрыуващ профтехегъэджэныгъэ IэнатIэм. ЗэфIэкI лъагэхэр зыбгъэдэлъу гу зылъата бзылъхугъэ цIыкIум 1972 гъэм дзыхь хуащIащ профтехучилищэхэм я еджакIуэхэм щэнхабзэмкIэ я республикэ унэм и пашэу щытыныр. Абы лъандэрэ блэкIа илъэсхэм къриубыдэу а IэнатIэр иригъэфIакIуэ зэпыту мэлажьэ Безрокъуэр. «И Iуэху зехьэкIэкIэ, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэкIэ абы улъэщIэмыхьэнми ярейщ, ауэ удэхъуну ухущIэмыкъуныр зэрыпхулъэкIын щыIэкъым, сыту жыпIэмэ Еленэ хэлъ творческэ жыджэрагъышхуэм, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм хуиIэ лъагъуныгъэ лъэщым малъхъэдисым хуэдэу узыщIешэри, — жаIэ Безрокъуэм и нэIэм щIэту лажьэхэм. — ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, зэфIэкI лъагэ зиIэ, цIыху хэтыкIэ екIу зыхэлъ, акъыл жанкIэ Тхьэр зыхуэупса ди унафэщIым и бзэ къудейри удэзыхьэхщ, текIуэныгъэщIэхэм укъыхуезыджэщ». Еленэ зи пашэ IэнатIэм мы зэманым къалэнышхуэхэр егъэзащIэ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къепхауэ лажьэ зыужьыныгъэ центр зэмылIэужьыгъуэхэм я лэжьыгъэр зэгъэуIунымкIэ. Абы къыдэкIуэу, Безрокъуэм пыщIэныгъэ инхэр яхуиIэщ зэреджэ программэм и лейуэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ щадэлажьэ IуэхущIапIэхэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм итхэм. ЦРТДЮ-м щызэфIах лэжьыгъэхэмрэ щекIуэкI Iуэху зехьэкIэ мардэхэмрэ абыхэм ящыщ куэдым я дежкIэ щапхъэщ. ГъащIэм декIуэкIыфын, зи зэфIэкIхэмрэ зэчиймрэ нэсу къызыкъуэзыхыфу абыхэмкIэ лъагапIэщIэхэм нэсыфын цIыху насыпыфIэ гъэсэнырщ Безрокъуэм и дежкIэ нэхъыщхьэр. «Гъэсэныгъэ екIу зыхэлъ щIэблэрщ щIэныгъэм и нэхум хуэпшэфынур» къыхуеджэныгъэм щIэту егъэлажьэ абы центрым и IэщIагъэлIхэр, зи творческэ къулеигъэ инхэр зи гъэсэнхэм тыхь яхуэзыщI гуп зэкъуэтыр. Педагогикэ гупсысэкIэ жанрэ цIыху хэтыкIэрэ зыщIэ унафэщIым хулъокI и лэжьакIуэхэм ящыщу дэтхэнэ зыми бгъэдыхьэкIэ хэха къыхуигъуэтын, абыхэм ябгъэдэлъ творческэ къулеягъыр ныбжьыщIэхэм нэсу иратыфыным гулъытэшхуэ хуещI. ЩIэблэм хэкупсэ гъэсэныгъэ яхэлъу, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ зыщамыдзейуэ, хьэл-щэн дахэ яIэу, гудзакъэрэ хэлъэтрэ ядэплъагъуу къэгъэтэджыныр — ахэращ Безрокъуэр зи унафэщI IуэхущIапIэм щынэхъыщхьэр. «Уэсмэн къэралыгъуэ цIыкIукIэ» (Еленэ и адэцIэм къытращIыкIауэ) зэджэж гупыр зы унагъуэшхуэм хуэдэу зэдопсэу, зэдолажьэ, зэгурыIуэныгъэрэ пщIэрэ, хабзэрэ нэмысрэ щытепщэу. УнафэщIым и гъащIэр я щапхъэу, и анэ ущиер я гъуэгугъэлъагъуэу зы егъэджакIуэ щIэблэкъым центрым къыщытэджар. Хэти а IуэхущIапIэм ноби Iутщ, адрейхэри, лэжьэкIэ пэрытым и мардэхэм щыгъуазэ хъуакIэу, республикэм и нэгъуэщI егъэджэныгъэ IэнатIэхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэ. А псоми, шэч хэмылъу, Безрокъуэм и фIыгъэ ин хэлъщ. Зи IэщIагъэм хуэпэж бзылъхугъэ щыпкъэм пщIэ ин къыхуэзыщIыр къыдэлажьэхэм я закъуэкъым, атIэ ар апхуэдэу я псалъэ гуапэ щыщIэркъым центрым и гъэсэну зэгуэр щытахэми. Еленэ абы зэрыщыIэрэ блэкIа илъэс 40-м щIигъум къриубыдэу ныбжьыщIэ щэ бжыгъэхэр яущиящ центрым и лэжьакIуэхэр. ЖыпIэ хъунущ абыхэм ящыщ куэдым я цIэхэр ноби егъэджакIуэм и гум илъу, абыхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэм и лъэр нэхъри жан ящIу. Апхуэдэ псэ хьэлэл лэжьыгъэр гулъытэншэ хъуркъым. Безрокъуэр УФ-м и щэнхабзэ, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм я унафэщIхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм хэтщ, «Илъэсым и бзылъхугъэ-2005» цIэ лъагэр зыхуагъэфэща Еленэ СССР-м, УФ-м профтехегъэджэныгъэмкIэ я отличникщ, Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я I — IV Артиадэхэм я лауреатщ. ЩIэблэр хэкупсэу гъэсэным хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэм папщIэ, КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр, Урысейпсо Жылагъуэ комиссэм къыбгъэдэкI дыжьын медалыр, нэгъуэщI фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр, дамыгъэхэр къратащ. Безрокъуэм и ныбжьыр щIышылэм и 18-м илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу. Республикэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным зи гуащIэ куэд хэзылъхьа, зи пашэ IуэхущIапIэм и зыужьыныгъэм зэфIэкIышхуэ езыхьэлIэ Безрокъуэ Еленэ Уэсмэн и пхъум дохъуэхъу республикэм щыпсэухэм я ехъулIэныгъэ къызэрыкIын IуэхуфIхэм я жэрдэмщIакIуэу куэдрэ иджыри щытыну, унагъуэ насып щымыщIэу, узыншэу дунейм тетыну. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24516.txt" }
ЗэрыдэIэпыкъур сэбэп хъурэ? (КIэухыр. ПэщIэдзэр №7-м итщ) КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан ди пщэ къызэрырилъхьам тету, Нэгей Рустамрэ сэрэ нэгъуэщI къуажэ администрацэхэми дыщыIащ. Фигу къэзгъэкIыжынщи, дэ дызытекIухьар къэралым къуажэхэм ярит дэIэпыкъуныгъэм сэбэпынагъыу къихьыр къэпщытэнырщ. Дэ Шэрэдж районым дынэсащ. Жэмтхьэлэ къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэ Дэхъушокъуэ Арсен лэжьапIэм щIэстэкъым, дэ дызэрыкIуэнум щыгъуазэ пэтми. ИкIэм-икIэжым къекIуэлIэжа нэужь, абы ди упщIэхэм фIэмыфIыщэурэ жэуап къриту хуежьащ. Дэ дыкъигъэуIэбжьащ «Къуажэм социальнэ зыужьыныгъэ егъэгъуэтыныр» программэ хэхам ипкъ иткIэ, къэралым субсидиехэр къызэриутIыпщым ар зэреплъым. Арсен зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ субсидиехэр щымыIэу щытамэ нэхъыфIт. Сыт абы къыбгурымыIуэну хэлъыр!.. Субсидиехэр къамыутIыпщмэ, лъэIуакIуэхэр зэтрихьэнукъым, къэпщытакIуэхэри къэкIуэнукъым. УкъыхэмыщтыкIыжу упсэу хъунущ: улахуэ къеIыпхыу, щIым техуэ бэнджэнд уасэр зэхуэпхьэсу — зэрыжаIэщи, фо зезыхьэр и Iэпэ йобзей, зыгуэри къыпхэхъуэнкIэ хъунущ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, адрей жылагъуэхэми хуэдэу, субсидиер Жэмтхьэли тэмэму къыщагъэсэбэпыркъым. Мы Iуэху хъарзынэр къыщIагупсысар IэщIагъэлI щIалэхэр къуажэм зэрыщыпсэур егъэфIэкIуэнырщ, интеллигенцэр къуажэ гъащIэм и гупсэ щIынырщ, къуажэм и социальнэ зыужьыныгъэр къэзыIэтыфын гуп зэщIагъэуIуэн хуэдэу. Ауэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм къэралыр зэдэкIуэу къуажэдэс псоми зэрадэмыIэпыкъуфынур къагурыIуэркъым (е зыгурагъэIуэну хуейкъым) икIи субсидие иратын папщIэ къекIуалIэ псори чэзум ягъэув. Апхуэдэущ зэрыщекIуэкIыр Жэмтхьэли, Тэрч районым щыщхэу Дей, Акъбащ Ипщэ къуажэхэми. Ар дауэ къызэрыбгурыIуэнур? Зыми и фэжагъуэ къамыхьыну хущIэкъуу е субсидиехэр зэрат щIыкIэм зыкIи щымыгъуазэу ара? Къытрагъэзэжурэ жаIэ зэпытщ къуажэм ахъшэшхуэ зэрыхухахыр, ауэ абы сэбэпынагъ къыпэкIуэу зэрамылъагъур. Езы администрацэхэм я Iэтащхьэхэр щыгъуазэкъым цIыхухэм сыт хуэдэ программэхэм тету ахъшэ къаIэрыхьэми, а ахъшэр зыхуэдизми. Администрацэхэм я Iэтащхьэхэм ящыщу дэ дызыхуэзахэм къахэкIакъым «Лэжьэн щIэзыдзагъащIэ фермер» программэм цIыху дапщэ хэхуами, езыхэм ята справкэхэм япкъ иткIэ льготэ зиIэ мэкъумэш кредит дапщэм къыIахами къыджезыIэфын. Дэ дыщIэупщIащ школхэм сыт хуэдэ егъэджакIуэхэр яхуримыкъуми, еджакIуэхэм я ныбжьыр ику иту зэрыхъум, ауэ ищхьэкIэ къыщызгъэлъэгъуа администрацэхэм дэ а упщIэхэм я жэуапыр щыдгъуэтакъым. Гур игъэзагъэу къахэкIар Жэмтхьэлэ Ипщэ къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэм и закъуэщ. Абы жылэм дэс дэтхэнэ зыми и Iуэху зытетыр ещIэ, дэтхэнэ зэкIэлъымыкIуагъэри псэкIэ егъэв икIи гугъуехьхэр зэрыхузэфIэкIкIэ къызэринэкIыу мэлажьэ. Уигу иримыхьыпIэр иIэтэкъым абы езым и IэкIэ зэригъэпэщыжа лэжьапIэ унэр, библиотекэр, апхуэдэу мы къуажэм щыщу зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ зэщIэкъуар. Ауэ абы зыкIи ебгъапщэ хъунукъым Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэ Джэдгъавэ Артур. Абы дэ дызыщIэупщIа Iуэху нэхъ къызэрыгуэкI дыдэхэми жэуап къритыфакъым. УмыгъэщIэгъуапIэр иIэкъым цIыху 3200-рэ зыдэс къуажэжьым Iуэхур нэхъ зыгъэтэрэзыфын унафэщI зэрамыгъуэтар. Республикэм и районищ къызэрызэхэткIухьам кърикIуахэм ущыхэплъэжкIэ, къыпщохъу жылагъуэхэм интеллигенцэр ирикъуу дэсу. Псоми егъэджакIуэхэр, дохутырхэр, полицэм и лэжьакIуэхэр, агрономхэр, адрей IэщIагъэлIхэри щыIэщ. Абы къыдэкIуэу, школхэм нэхъыбэу щылажьэр ныбжь зиIэ егъэджакIуэхэрщ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ахэр жьы хъууэрэ екIуэкIынущ, ауэ абы зыри тегузэвыхьыркъым. Зыри игъэпIейтейркъым си ныбжь цIыхур Iуэхум къызэрыпэщIэкIуэтым, абы и щIэныгъэм адэкIи хигъэхъуэну зэрыхущIэмыкъум икIи икIэм-икIэжым егъэджэныгъэм зыужьыныгъэ имыгъуэту къызэрызэтеувыIэм. Дауи, зэдыщIэкIыу щIыпIэ псоми я Iуэхур апхуэдэкъым, ауэ, зэрыщыту къапщтэмэ, узыщыгуфIыкIынышхуэ мы IэнатIэм щыплъагъуркъым икIи абы фIым ухуишэнукъым. Арауэ къыщIэкIынщ иджыпсту вузхэм щIэтIысхьэхэм щIэныгъэ нэгъэса зиIэу яхэтыр щIэмащIэр. Ауэ гъэщIэгъуэныр абы и закъуэкъым. УмыгъэщIэгъуапIэр иIэкъым администрацэхэм я Iэтащхьэхэри, а псоми езыхэм я Iуэху хэмылъ хуэдэу, лъэныкъуэкIэ щыту къызэреплъыр. Къэрал программэхэр къагъэсэбэпурэ, къаруущIэхэр зэщIагъэуIуэн, егъэджакIуэ щIалэхэр школхэм, дохутыр ныбжьыщIэхэр амбулаторэхэм къашэным и пIэкIэ ахэр зыкIи къыхэмыщту лъэныкъуэкIэ щытщ. Псалъэм папщIэ, иджыпсту къуажэхэр хуабжьу хуэныкъуэщ законодательствэм, компьютерхэм хэзыщIыкI цIыхухэм. НэгъуэщI IэщIагъэлI щхьэхуэхэри яхурикъуу къыщIэкIынукъым. Дэнэ къуажи полицэм и участкэ инспекторхэр кIуэ-къэкIуэжу щылажьэу аращи, щыбгъуэтыр зэзэмызэщ. Ди лъэхъэнэ зэхэмыбзым ар дауэ къызэрезэгъыр? Иджыпсту зэлэжьын хуейр къуажэм хуаутIыпщ ахъшэр псыхэкIуадэ мыхъуу, сэбэпынагъышхуэ пымылъу зэбграмытыкIыу, мис апхуэдэ къалэн пыухыкIахэр гъэзэщIэным хуэунэтIынырщ. Дауэ, псалъэм папщIэ, къызэрыбгурыIуэнур къуажэдэсхэм ядэIэпыкъунымкIэ программэм ипкъ иткIэ, район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэм Дей къуажэм псэупIэ зэрыщратар? Къудей Владимир, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительстмэм и УнафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Редакцэм къыбгъэдэкIыу: Мы тхыгъэр дгъэхьэзыра нэужь, КIэрашэ Арсен и пIэкIэ Нэгей Рустам КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министрым и къуэдзэу ягъэуващ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24519.txt" }
АнэдэлъхубзэкIэ курыт щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну Iэмал щыIэщ Куэд лъандэрэ псори зыпэплъа документыр — «Урысей Федерацэм зэрыщрагъаджэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законыр 2012 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм къащтащ. Абы илъэситIкIэ елэжьащ. УФ-м и Президентым и унафэкIэ законым и проектыр утыку къралъхьауэ щытащ цIыхухэр тепсэлъыхьын папщIэ. Абы щыгъуэ законопроектыр зэрыт сайтыр япэ мазитIым къриубыдэу цIыху мелуан 12-м къызэIуахащ икIи ар къазэрыщыхъуам теухуауэ тхыгъэ мин 11-м нэс иралъхьащ. Саенкэ Татьянэ Япэ къеджэгъуэу Къэрал Думэм ар къыщыхалъхьащ плIэнейрэ елэжьа и ужь, апхуэдэу щыт пэтми, етIуанэ къеджэгъуэу щыхэплъэнум ирихьэлIэу зэхъуэкIыныгъэу 1670-рэ къагъэхьащ. Абыхэм ящыщ зэхъуэкIыныгъэ 575-мкIэ Къэрал Думэм и комитетыр арэзы хъуащ. Зэрыщыту къапщтэмэ, зэрытепсэлъыхьа зэманымрэ къыхалъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм я бжыгъэмкIэ «Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» законопроектым хуэбгъэдэн иужьрей илъэсхэм къыхалъхьакъым, абыхэм я лъэныкъуэкIэ ар уеблэмэ «Полицэм и IуэхукIэ» законым щхьэпрыкIыжащ. «Урысей Федерацэм зэрыщрагъаджэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законыр егъэджэныгъэм и IэнатIэм ехьэлIа Iуэхухэр нэсу зэблэзыгъэкI хабзэ мардэщ. Абы къыщылъытащ егъэджэныгъэм и IэнатIэ псори, апхуэдэу щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтхэм я сэбэп зыхэлъхэр. ЗаконыщIэр цIыкIукъым, ар Iыхьэ 20-у, статьяуэ 170-у зэхэлъщ икIи апхуэдиз зи инагъ документыр бгъэтэмэмын папщIэ лэжьыгъэшхуэ хуейщ (къэгъэлъэгъуапхъэщ абы япэ ита законыр Iыхьэу 6, статьяуэ 58-рэ фIэкI мыхъуу зэрыщытар). Федеральнэ законым къару щигъуэта махуэм щегъэжьауэ къару ямыIэжу къалъытащ РСФСР-м, Урысей Федерацэм я закон акту 104-м, абыхэм «Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Законыр (1992 гъэ), «ЩIэныгъэ нэхъыщхьэмрэ вуз нэужьым зрагъэгъуэт профессиональнэ щIэныгъэмрэ я IуэхукIэ» Федеральнэ законыр (1996 гъэ) яхэту. КIэщIу сыкъытеувыIэнщ егъэджэныгъэм теухуа законым щIэуэ халъхьа языныкъуэ Iуэхугъуэхэм. Мы документым щызэпкърыхащ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр зэрырагъаджэ, пэщIэдзэ, курыт щIэныгъэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ, профессиональнэ щIэныгъэ, щIэныгъэ гуэдзэн зэрырагъэгъуэт мардэхэр. А щIыкIэм тету Урысейм егъэджэныгъэмкIэ и системэр ирагъэзэгъыж Болонскэ декларацэмрэ Егъэджэныгъэ мардэхэм я дунейпсо классификацэмрэ. Зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр зэрырагъаджэр курыт щIэныгъэм и япэ Iыхьэу къыхагъэщхьэхукI, ауэ ар фIэкIыпIэ имыIэу сабийхэм зрагъэгъуэтын хуейуэ ягъэувыркъым. Законым еубзыху сабийхэм якIэлъыплъынымрэ ахэр зыхуей хуэгъэзэнымрэ пыщIа Iуэхухэр. Абыхэм хеубыдэ сабийхэр гъэшхэныр, зыхуэфащэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэныр, абыхэм я щхьэ зэрахьэжыфу, зэманыр тэмэму къагъэсэбэпыфу гъэсэныр. Егъэджэныгъэм и къэрал, муниципальнэ IуэхущIапIэхэм сабийхэм зэрыщакIэлъыплъым, зыхуей зэрыщыхуагъазэм папщIэ адэ-анэхэм ику иту щIатын хуей уасэр Урысей Федерацэм и субъектым и къэрал властым и органхэм яубзыху. Мыхьэнэ хэха зиIэ IуэхущIэщ зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр пщIэншэу муниципальнэ IуэхущIапIэхэм ягъэкIуэнымкIэ цIыхухэм яIэ хуитыныгъэхэр дэгъэкIынымкIэ шэсыпIэхэр Урысей Федерацэм и субъектым и къэрал властым и органхэм къызэрагъэпэщыну къалэн зэрыщащIыр. Абы папщIэ щIыналъэхэм я бюджетхэм субвенцэхэр хухахын хуейщ лэжьапщIэу ятын, тхылъхэр, зэрырагъаджэ, зэрыджэгу Iэмэпсымэхэр къращэхун папщIэ (унэхэр зыхуей хуэгъэзэнымрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэмрэ хэмыту). Къэгъэлъэгъуапхъэщ япэм апхуэдэ мардэр курыт еджапIэхэм фIэкI ятемыхуэу зэрыщытар. Иджы муниципалитетхэм хуитыныгъэ яIэщ зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэр юридическэ IэнатIэу ирагъэтхыну икIи егъэджэныгъэмкIэ программэ нэхъыщхьэхэр ягъэзэщIэн папщIэ республикэ бюджетым къыхэкI субвенцэхэр къыIахыну. ИщхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа финанс дэIэпыкъуныгъэу щIыналъэм и бюджетым къыхэкIхэр къагъэсэбэпыну хуит ящI егъэджэныгъэмкIэ уней IуэхущIапIэу зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр зэкIуалIэхэр, пэщIэдзэ щIэныгъэ, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэтхэр икIи егъэджэныгъэм и программэ нэхъыщхьэхэмкIэ къэрал аккредитацэ яIэу лажьэхэр. Абыхэм къадэкIуэу, Федеральнэ законым ипкъ иткIэ, Урысей Федерацэм и субъектхэм я къэрал властым и органхэр хуит ящIащ муниципальнэ еджапIэхэмрэ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт уней еджапIэхэмрэ щIэсхэр зэрагъашхэм ахъшэ лей трагъэкIуэдэну, апхуэдэу сабийхэм щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт муниципальнэ еджапIэхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ иратыну. Законым зэблегъэкI зэрырагъаджэ электрон Iэмэпсымэхэмрэ иджырей технологиехэмрэ къагъэсэбэпурэ, егъэджэныгъэмкIэ программэхэр сетевой теплъэ иIэу зэрагъэзащIэр, апхуэдэу егъэджэныгъэм и IэнатIэм гъэунэхуныгъэ, инновацэ Iуэхухэр къызэрыщызэрагъэпэщыр. ИкъукIэ убзыхуауэ зэпкърыхащ зэфIэкIышхуэ къэзыгъэлъэгъуахэмрэ зи узыншагъэр зэкIэлъымыкIуэхэмрэ егъэджэныр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэр. Хэхауэ гу лъытапхъэщ Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ мардэхэр зэрырагъэджымрэ дин щIэныгъэ зэрырагъэгъуэтымрэ ятеухуауэ (иджыри къэс зекIуэу щыта законым апхуэдэ мардэхэр хэтакъым) егъэджэныгъэмкIэ законым хагъэува IуэхущIэхэм. Иджы, законым зэритымкIэ, егъэджэныгъэмкIэ программэ нэхъыщхьэхэм хагъэувэ хъунущ Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэм, зэхэлъыкIэм, дунейпсо дин нэхъыщхьэхэм я тхыдэ, щэнхабзэ лъабжьэхэм ятеухуа щIэныгъэхэр еджакIуэхэм зэрырагъэгъуэт предметхэр, курсхэр, дисциплинэ щхьэхуэхэр. Апхуэдэ предметхэм, курсхэм, дисциплинэхэм ящыщ зыр къыхах еджакIуэхэр я адэ-анэхэм е абыхэм я къалэнхэр законкIэ зыбгъэдэхуэхэм. Уней IуэхущIапIэхэм хуитыныгъэ ират зыхуэфащэ дин IуэхущIапIэм е дин зэгухьэныгъэм къызэрыхилъхьам ипкъ иткIэ дин щIэныгъэ еджакIуэхэм зэрырагъэгъуэт предметхэр, курсхэр, дисциплинэхэр программэм хагъэхьэну. ЗаконыщIэм ипкъ иткIэ цIыхухэм хуитыныгъэ яIэщ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр зэрырагъаджэ, пэщIэдзэ щIэныгъэ, курыт щIэныгъэ зэрырагъэгъуэт бзэр Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я бзэхэм ящыщу къыхахыну, апхуэдэу Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я бзэхэм хиубыдэ анэдэлъхубзэр ирагъэджыну. Апхуэдэм деж къалъытэ егъэджэныгъэмкIэ системэм иIэ зэфIэкIхэр здынэсыр. Апхуэдэ хуитыныгъэхэр дагъэкIын папщIэ егъэджэныгъэмкIэ организацэу, классу, гупу зыхуеинум хуэдиз къызэIуах икIи ахэр лэжьэн папщIэ зыхуэфащэ Iэмалхэр къызэрагъэпэщ. Урысей Федерацэм и республикэхэм я къэралыбзэхэм зэрыхурагъаджэмрэ ахэр зэраджымкIэ мардэхэр щIыналъэхэм я законодательствэмкIэ ягъэув. Къапщтэмэ, ди республикэм а Iуэхур щызэблегъэкI «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис лъэпкъхэм я бзэхэм я IуэхукIэ» КъБР-м и Законым. ЕгъэджакIуэхэм яхуэгъэзауэ законым иубзыху социальнэ шэсыпIэхэм ящыщу мы къыкIэлъыкIуэхэр къыхэгъэщхьэхукIыпхъэщ. Егъэджэныгъэм и муниципальнэ IуэхущIапIэхэм я педагогхэм я лэжьапщIэмкIэ мардэхэр Урысей Федерацэм и субъектхэм я къэрал властым и органхэм щагъэувкIэ, а мардэхэр нэхъ мащIэ ящI хъунукъым, Урысей Федерацэм и субъекту егъэджэныгъэмкIэ IуэхущIапIэр здэщыIэм ику иту щат улахуэм нэхърэ. Егъэджэныгъэм и лэжьакIуэу къуажэхэм щыIэхэм, япэхэми хуэдэу, хуапшыныжынущ унэ уасэр, ар къызэрагъэплъым, уэздыгъэм я уасэр. АбыкIэ мардэхэр Урысей Федерацэм и субъектым и законодательствэмкIэ яубзыху икIи зыхуеину ахъшэр щIыналъэхэм я бюджетхэм къыхах. А бюджет дыдэм къыхэкIыу егъэджакIуэхэм иратын хуейщ къэрал экзамен зэгуэтхэр къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымкIэ зэфIагъэкI лэжьыгъэм пэкIуэр. ЩIэуэ нэгъуэщI зы марди къащтащ. Мы Федеральнэ законым къару щигъуэт махуэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, 2013 гъэм фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ егъэджакIуэхэм я улахуэм хагъэхьэн хуейщ тхылъхэр, журналхэр къызэращэхум папщIэ хуапшыныж ахъшэр. Ар 2012 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м ягъэувам хуэдизу щытынущ. Федеральнэ законым и Iыхьэ щхьэхуэхэм къару щагъуэт пIалъэхэр зэщхьэщыхащ. Къапщтэмэ, егъэджэныгъэм и IуэхущIапIэхэм я уставхэр 2016 гъэм щIышылэм и 1-м фIэмыкIыу мы законым ирагъэзэгъыжын, егъэджэныгъэ Iуэху ирагъэкIуэкIыну хуит зэращI лицензэхэмрэ къэрал аккредитацэм зэрыпхыкIамкIэ щыхьэт тхылъхэмрэ зэрахъуэкIын хуейщ. Псалъэмакъым и кIэухыу къэгъэлъэгъуапхъэщ цIыхухэр щыгъуазэ ящIын икIи трагъэпсэлъыхьын папщIэ мы Федеральнэ законым и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр гъэзэщIэным хуэунэтIауэ зэхалъхьэ хабзэ мардэм и проектхэр Урысей Федерацэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и официальнэ сайтым иралъхьэу зэрыщIадзар. Хабзэ мардэхэр къазэрыщыхъуамрэ абыхэм хуащI дагъуэхэмрэ info@mon.gov.ru электрон пощткIэ ирагъэхь хъунущ. Дэтхэнэ хабзэ мардэми и проектым жылагъуэр щытепсэлъыхь пIалъэр къыщыгъэлъэгъуащ проектхэм я паспортхэм. Саенкэ Татьянэ, «Урысей зэкъуэт» партым хэт, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24522.txt" }
Нобэ 1765 гъэм Урысей пащтыхьым указ къыдигъэкIауэ щытащ пщыхэм емыдаIуэ пщылIхэр Сыбыр щылэжьэну ягъэкIуэну хуит ищIу. Ленинград блокадэм къыщрагъэкIа махуэщ. ЩIышылэм и 18 — 27-хэм Берлин (Германие) щызэхэтынущ «ЩхъуантIагъэм и тхьэмахуэ-2013» зыфIаща 78-нэ дунейпсо сату выставкэр. Абы щагъэлъэгъуэнущ ерыскъыпхъэ промышленностым, мэкъумэш, мэз IуэхущIапIэхэм я продукцэ нэхъыфIхэр. Адыгэ усакIуэ ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 159-рэ ирокъу. Кинодраматург, тхакIуэ Жылэтеж Сэлэдин и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. КъБР-м и Парламентым и депутату щыта, жылагъуэ лэжьакIуэ Умэ Светланэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 — 7, жэщым щIыIэр градуси 4 — 2 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24526.txt" }
ЩIыналъэм зэрызиужьыну щIыкIэр Ди газетым зэрытетащи, КъБР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ Жылагъуэ советым и зи чэзу зэIущIэр щIышылэм и 15-м зэхэтащ. Ар теухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым 2030 гъэ пщIондэ зэрызиужьыну щIыкIэр убзыхуным. Ар къыщызэIуихым, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен жиIащ: — Дэтхэнэ хэгъуэгуми игъуэтыну зыужьыныгъэм къежьапIэ хуэхъур УФ-м и Президентым Парламентым Зэрызыхуигъазэм нэхъыщхьэу къыщыгъэлъэгъуахэм, къэралым и социально-экономикэ программэхэм тохуэ, ауэ республикэм бгъэдэлъ мылъкумрэ и зэфIэкIымрэ Iэмал имыIэуи къыхэтлъытэн хуей мэхъу. Стратегиер щагъэхьэзыркIэ, КъБР-м экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэрызиужьыфыну Iэмал зэмылIэужьыгъуэ куэд къапщытэ, ягъэунэху, жылагъуэр къэкIуэнум зэреплъ щIыкIэр къалъытэ. Дэ дубзыхуа Iуэхухэм хэплъащ урысей IэщIагъэлIхэмрэ УФ-м ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и экспертхэмрэ икIи хэгъуэгухэм къагъэлъэгъуа дэфтэрхэм я нэхъыфIхэм зэращыщыр жаIащ. Иджы ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэм КъБР-м и Жылагъуэ советым и пащхьэ къралъхьэ щIэуэ зэхалъхьа стратегиер. Сэ сызэреплъымкIэ, пIалъэ кIыхьым тещIыхьа документым илъэс къэс ухэплъэжын хуейщ, апхуэдэуи, узыхэдэн щыIэн папщIэ, щхьэж зэреплъыр къигъэлъагъуэмэ нэхъыфIщ. Фэ фыхуитщ абы хэгъэхьэжыпхъэIамэ е зэхъуэкIыпхъэ хэтмэ, фи Iуэху еплъыкIэр къэвгъэлъагъуэу дыщIывгъужыну. 2030 гъэ пщIондэ КъБР-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэр зыхуэдэну яубзыхуар утыку кърихьащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Пётр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм зиужьын папщIэ зэгъэуIуауэ япэ игъэщыпхъэ унэтIыныгъэу Пётр къигъэлъэгъуащ мэкъумэш, турист-рекреацэ IэнатIэхэр, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ, псэуалъапхъэу къыщIагъэкIым зегъэубгъуныр, нэгъуэщIхэри. Ахэр республикэр зыпэлъэщын Iуэхущ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а IэнатIэхэр зэрырагъэфIэкIуэфым елъытащ цIыхухэм яIэну псэукIэр. Зи ужь ит Iуэхум и хэкIыпIэхэр щигъэбелджылым, щIэныгъэлIым щапхъэу къихьащ къэрал цIыкIухэм я зыужьыкIэмрэ езым яIэ фIыгъуэхэр фейдэ пылъу къызэрагъэсэбэпымрэ. — Ди къэралыр инми, щIыналъэ къэс езым и псэукIэрэ хъугъуэфIыгъуэрэ иIэжщ, — жиIащ къэпсалъэм. — Абы ипкъ иткIэ, къэрал хабзэхэр къэлъытауэ, дызыхуэкъулеймрэ тхузэфIэкIынумрэ хъер къыпытхыфу зедгъэсэнырщ нэхъыщхьэр. Абы хэтлъхьэн мылъку дыхуэныкъуэмэ, хамэ къэралхэм инвесторхэр къитшыфынущ, Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуэдгъуэтынущ. ДиIэр фейдэ пылъу къытхуэмыгъэсэбэпмэ, абы и щхьэусыгъуэр къызэрылъыхъуапхъэр щхьэхуэу къыхигъэщащ Иуаным икIи псом япэу къэрал къулыкъущIапIэхэм я лэжьэкIэр егъэфIэкIуэн, иджырей мардэм игъэувэн, республикэм зиужьыным зэран хуэхъу лъэпощхьэпохэр щызэхуэхьэса каталог зэхэгъэувэн, япэ игъэщыпхъэхэр щыуагъэншэу къыхэхын зэрыхуейр игъэбелджылащ. Абы и псалъэхэм къыпищащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Мусуков Алий. Министрым жиIащ республикэм, къэралым я зыужьыныгъэр щаубзыхукIэ, экономикэр иджырей зэманым декIуу, фейдэ къыпэкIуэу щытын папщIэ пIалъэ кIыхьым хухэха социально-экономикэ стратегиер зэрызэхагъэувэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым бгъэдэлъ псори къапщыта нэужь, гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэ унэтIыныгъэхэр ягъэбелджылащ, 2030 гъэр къэсыху фейдэ нэхъыбэ къыпэкIуэу зэтраублэн хуэдэу. Мыбы хагъэхьар куэд щIауэ республикэм къыщалэжь-щащэм я закъуэкъым, атIэ дунейпсо экономикэм щIэупщIэ щызиIэнум зетпщытын хуейщ. Дунейпсо экономикэм хуэфэщэн пщIэ иIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр хэувэфын папщIэ, Мусуковым къигъэлъэгъуахэм ящыщщ лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщыха туризмэр, мэкъумэш IэнатIэр, технологие и лъэныкъуэкIэ фIагъ зиIэ псэуалъапхъэхэр къыщIэгъэкIыныр, иджырей технологиехэр къыщагъэсэбэпу промышленностым, электроэнергие къэлэжьыным зегъэужьыныр, нэгъуэщIхэри. Иуаным утыку кърихьа стратегием и гугъу щищIым, министрым къыхигъэщащ ди республикэм и экономикэм сыт и лъэныкъуэкIи тещIыхьауэ ар убзыхуа зэрыхъуар, ауэ стратегие щхьэхуэу къэбгъэлъэгъуэн хуэдэу зэрыщымытыр, япэ игъэщыпхъэ IуэхугъуэхэмкIэ щыIэм зэрытехуэр. ЗэIущIэм я еплъыкIэхэр къыщагъэлъэгъуащ КъБР-м промышленностымрэ сатумкIэ и министр Пономаренкэ Роман, Шэрэдж район администрацэм и Iэтащхьэ Темиржанов Махъты, Прохладнэ район администрацэм и Iэтащхьэ Василенкэ Александр, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и экономико-математическэ институт нэхъыщхьэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Агафонов Владимир сымэ. Абыхэми къыхагъэщащ экономикэм и мызакъуэу, сыт хуэдэ зыужьыныгъэми лъабжьэ хуэхъун хуейр иджырей мардэхэрауэ зэрыщытыр, апхуэдэуи КъБР-м зэфIэкI хъарзынэ зэрыбгъэдэлъыр. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24528.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Фэ фщIэрэ? Унэм зэрыщызэIэзэ Iэмалхэр ЦIыхум и бгъэр, и тэмакъыр узмэ, псчэмэ, щIыIэ хыхьамэ, кIэртIоф укъэбза ягъавэ, абы и бахъэ пщтырымкIэ сымаджэр ягъэбауэ, ипсри ирырагъэф. Ар сымаджэм сэбэпышхуэ хуохъу. * * * Къазым, бабыщым я зэзыр фом халъхьэ, фIыуэ зэIащIэри, щIыIапIэ-кIыфIыпIэм ма-хуищ-плIыкIэ и щхьэртепIауэ щагъэув, зэ-хэшыпсыхьын щхьэкIэ. ИтIанэ а фо зэхэшыпсыхьар цIыхум и Iэпкълъэпкъым бэга иIэмэ щахуэри ягъэ-хъуж. * * * Нартыху тхъафэм, щхьэцым къыщIэвыкIам и псым уефэмэ, тхьэмщIыгъумкIэ, жьэжьеймкIэ сэбэпщ. * * * Дэ купщIэ гъэлыгъуа пшхымэ, уи кIэтIийхэр егъэкъабзэ. * * * Тэмакъыдзэр адыгэм зэригъэхъужу щытар: адыгэ бжьыныщхьэ гъэвар сымаджэм жьэдрагъалъхьэрти, пщтыру жьэдагъэлът упщIыIуху, Iэмал иIэмэ, пэкIэ ягъэбауэурэ. Апхуэдэурэ махуищ-плIыкIэ зрагъэхьэлIэрти, сымаджэр хъужырт. ЩащIыр гъуэлъыжыгъуэм дежт. * * * Махъсымэ, мэрэмэжьей ящIу къэна кIэрыхубжьэрыхухэри адыгэм къигъэсэбэпу щытащ: къапщтэмэ, ахэр я напэм щахуэрти кIэрагъэлът, дахэ ещI, нэкIу къилъэлъ-сытхэр егъэкIуэд жаIэрт. Абы нэмыщI псы хуабэкIэ зэIыпхыу зрибгъэпскIынуи сэбэпышхуэщ. * * * Фор бегъымбар шхыну ябж икIи сыт хуэдэ узыфэми и сэбэпу къалъытэ. Къубатий Борис. Еджагъэшхуэхэм я гупсысэхэр Дахагъэм нэхърэ – гуапагъэ Зыхуэмыфащэм зэрыкъулейм щхьэкIэ ущымытхъу. Биант. Беягъэм Iулыдж лъэпкъ къыпхуихьыркъым. Сократ. Унагъуэм щынэхъыщхьэр шыIэныгъэрщ, лъагъуныгъэр куэдрэ псэукъым. Чехов Антон. Фи Iуэху фIы хъуныр зэлъытар фэ езым фи дуней тетыкIэрщ. Рокфеллер Джон Дэвисон. ЩIым хэплъхьам нэхърэ нэхъыбэ къущимытыж зэи къэхъуркъым. Цицерон Марк. Гуапагъэр нэхъыфIщ дахагъэм нэхърэ. Гейне Генрих. ЕгъэджакIуэфI ухъун щхьэкIэ, ебгъаджэхэри зэбгъаджэри фIыуэ плъагъун хуейщ. Ключевский Василий. ГъэщIэгъуэнщ Интернетыр къызэрежьэрэ тфIэкIуэдар Британием къыщыдэкI «DaiIy TeIe- graph» газетым къытрадзащ Интернетыр къызэрежьэрэ цIыхухэм яIэщIэхуа Iуэхугъуэ щхьэпэхэр. Абы дызыхуишэнур фIыми Iейми зэманым къигъэлъэгъуэнщ. — Зэхуэза цIыхуитIыр, Iуэхум и пэжыпIэр зэхагъэкIын папщIэ, мардэ гуэрым изагъэу зэдауэу аращ. Иджы Интернетыр къагъэсэбэпу апхуэдэ зэдауэр езышажьэхэм (шэч хэмылъу, цIэи-унэцIи къраIуэркъым), я гупсысэм къытемыхуэ анонимыр ялъэкIамэ, псэууэ къагъэнэнтэкъым, зэжрамыIэрэ зэрамыпэсрэ гъуэтыгъуейщ. — ЩIэуэ къыдэкIа макъамэ альбомыр ахъшэ щIату къащэхуркъым, абы тет уэрэд псоми зэрызэ нэхъ мыхъуми едэIуэжыркъым. Ахъшэ щхьэ бгъэкIуэдын хуей, абы тет уэрэд къомми хуейр хэт, уигу ирихь уэрэдыр Интернетым къипхмэ зэфIэкIакъэ?! — ЦIыху цIэрыIуэм, псалъэм папщIэ, политикым, и къэкIуэнури и пщIэри зэуэ фIэкIуэдыфынущ. Емыгупсысауэ е зэрымыщIэкIэ политикым зыгуэр къыжьэдэхуамэ, ар дакъикъэ бжыгъэм цIыхубэм ялъоIэсри, и напэр токI, уеблэмэ илъэс бжыгъэкIэ зэригъэпэща псоми пагъэкIыфынущ. — Сабийр балигъыпIэ иувэху ищIэн хуэмейхэмрэ имылъагъупхъэхэмрэ япэм адэ-анэм щахъумэфу щытамэ, иджы Интернетым и фIыгъэкIэ, хэт сыт хуэдэ хъыбар хуейми зыIэригъэхьэфынущ. — Псалъалъэ, щIэнгъуазэ, телефон номерхэр зэрыт тхылъ, нэгъуэщI куэди «щIалъхьэжащ». «Яндекс»-мрэ «Гугл»-мрэ къэунэхури. — Сыхьэт зезыхьэ щыIэжкъым, зэрыкъулейр кърыригъэлъэгъуэну сыхьэт лъапIэхэр зэрызылъхьэхэм фIэкIа. Сыхьэт бжыгъэр къэпщIэну ухуеймэ, компьютер, жып телефон, таймер зыхэт нэгъуэщI техникэ куэд щыIэщ. — Музыкэ зыщэ тыкуэнхэр гугъуехь хэхуащ. Билан Димэ и альбомыщIэм сом мин щIэзытынур хэт, Интернетым илъмэ? — Пощтзехьэхэм я къалэнхэм захъуэжащ. Электроннэ пощтыр къежьащи, тхылъымпIэкIэ зыми письмо итхыжыркъым. Пощтзехьэхэм нэхъыбэу кърахьэкIыр пенсэращ. — Пащтыхьхэмрэ президентхэмрэ унафэр щаIэщIэлъа гъэхэр, властыр щызэIэпаха лъэхъэнэхэр уигу ибубыдэныр Iэмалыншэу щытыжкъым. «Википедие»-мкIэ зы дакъикъэ улъыхъуэмэ, зы Iуэхум теухуа хъыбарищэ зэуэ экраным къыпхуридзэнущ. — Лэжьыгъэм, еджэным цIыхухэм къахудэхуэу щыта зэманыр дэнэ кIуа? ЩыIэжкъым апхуэдэ, Интернетым псори токIуадэ. — «Место встречи изменить нельзя» фильмыр щекIуэкIкIэ, уэрамхэр нэщI щыхъуу щыта зэманыр щыIэжкъым. Иджыпсту ущыхуей сыхьэтым узыхуей теленэтыным е фильмым ИнтернеткIэ уоплъыф. — ИмыщIэ бзэмкIэ тха тхыгъэм зыри игъэшынэжыркъым иджыпсту. Онлайн-зэдзэкIакIуэхэр уи Iэрылъхьэщи, зы кнопкэ тепкъузэмэ, тхыгъэм и купщIэр къует. — ТхылъымпIэрэ ручкэрэ яIыгъыу сабийхэр зэрыджэгуу щытахэр фщIэжрэ? ЩыIэжкъым апхуэди. ДжэгукIэ зэмыщхь Iэджэм сабийхэм я мызакъуэу, балигъхэри дихьэхауэ ИнтернеткIэ мэджэгу, зыдэджэгур компьютерырауи щрет е щIыгум и адрей гъунапкъэм щыпсэу цIыху гуэр ирехъу. Къэбарт Мирэ. Шхыныгъуэхэр Шэрджэс джэд гъэжьэкIэ Инджылыз щIэныгъэлIхэу Салариа Дэвидрэ Теймс Ричардрэ къызэрахутамкIэ, мы ерыскъыгъуэр ебланэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ япщэфI адыгэхэм. «Шэрджэсхэр Урысейм и Ипщэ лъэныкъуэм щыпсэу лъэпкъщ, аращ къызытекIар мы шхыныгъуэ сырым и цIэри — «Шэрджэсхэм я джэд гъэжьэкIэ», — щатх абыхэм я тхылъым, «Зэманым и шыфэлIыфэхэр. Ерыскъыр. Iэнэ пэрысыкIэр, пщафIэхэмрэ шхыныгъуэхэр зэрагъэхьэзырымрэ» зыфIащам. Абы щхьэкIэ джэдыщIэмрэ и кIуэцIфэцIымрэ ягъэкъабзэ, кIуэцIфэцIыр и кIуэцIым иралъхьэжри, шыбжиипс щIыIэ шыуам щIигъанэу халъхьэ, и щхьэр тепIауэ щIыIапIэ сыхьэти 2-3-кIэ ягъэув, зэхэшыпсыхьын щхьэкIэ. Абы и ужькIэ джэдыр къыхахыжри ягъэгъущ, тебэм шыбжиитхъу тIэкIу иралъхьэри, джэд гъэгъущар и щIыбыр егъэзыхауэ тебэм иралъхьэ, лъэныкъуэ псоми шыбжиитхъу фIыуэ щахуэри, хьэкулъэм ирагъэувэри, хьэзыр хъуху ягъажьэ. А зэманым къриубыдэу шыбжиитхъумрэ шатэмрэ тIэу-щэ щахуэ, тхъуэплъ дахэ хъун щхьэкIэ. Хьэзыр хъуа джэдыр кърахыжри, зэрыпсэууэ е Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпкърыхауэ Iэнэм трагъэувэ. Яшх пщтыру, пIастэ хуабэ и гъусэу. Халъхьэхэр: Джэду — 1 Шыбжиитхъуу — грамм 40 Шатэу — грамми 100 Шыбжиипсу — узыхуейм хуэдиз. ДжэдыкIэжьапхъэ ДжэдыкIэр фалъэ куум иракъутэ, абы шатэ, шыгъу халъхьэри, фIыуэ яудэ. Ар тхъу къэплъар зэрыт тебэм иракIэри, мафIэ цIыкIум тету, зэIамыщIэу дакъикъи 6-7-кIэ ягъажьэ. ИтIанэ сэкIэ зэпаупщI, зэрагъэдзэкIри, иджыри дакъикъи 3-4-кIэ ягъажьэ, тхъуэплъ дахэ хъуху. Жьамэ абы зыкъеIэт, езыр щабэщ. ЩаудэкIэ джэдыкIэм содэ хэзылъхьи щыIэщ, ауэ абы содэмэ къыхрегъэх. Ар хэмылъми джэдыкIэр къэтэджынущ, ауэ абы щхьэкIэ фIыуэ удэн хуейуэ аращ. Пщтыру яшх. ПIастэ, мырамысэ, чыржын, мэжа-джэ, щIакхъуэ докIу. Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): ДжэдыкIэу — 2 Шатэу — грамм 60 Тхъууэ — грамми 10 Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. ГушыIэхэр Саугъэт Зэныбжьэгъу щIалитI зэхуэзащ: — Мурат, сыт уи махуэ лъапIэм щхьэкIэ уи адэ-анэм къуатар: — Мобдеж щыт «Мерседес» плъыжьыр плъагъурэ?! — Уей, укъикIам, сыту лъэщ! — Мис абы и фэм ещхьыркъэпсу пыIэ. Мор дауэ щIэбгъэхьэну-тIэ? Хъуэжэ къуажэпщым деж щыщIы- хьэм бжэм деж щыт хъумакIуэм къигъэувыIащ: — УщIэзгъэхьэ хъунукъым. — Сыт щхьэкIэ? — къэуIэбжьащ Хъуэжэ. — Уэ убзаджафэщ, бзаджагъэ зигу илъ лъэпкъ щIэзмыгъэхьэну пщым унафэ къысхуищIащ. — Мор дауэ щIэбгъэхьэну-тIэ? — жиIэри пщым и фыз пщIантIэм дэтым и Iэпэр хуи-шиящ Хъуэжэ. Къэп нэщIи ираш абы Дизкъуажэ гупым щахыхьам и гъунэгъу гуэр хуабжьу и щхьэ щытхъужу щыст. — Сэ сыздэщымыIа щыIэ?! Сэ сымылъэгъуа щыIэ?! Сэ сыкъэзымыцIыху щыIэ?! Сэ си цIэр дэнэ къали, дэнэ къуажи щыжаIэ! — щIигъатхъэрт абы. Щхьэщытхъум едаIуэхэр зэIущащэрт: — Бегъымбар хъуауэ жиIэнущ мыбы! — Сыт хуэдиз бгырэ псырэ зэпызупщIа сэ! Индыл дыди сикIащ сэ кхъухь сису! — и гъунэгъум щригъэлейм, Дизкъуажэ къэпсалъэри: — Пэжщ а си гъунэгъум жиIэр, кхъухьым иплъхьэмэ, къэп нэщIри йокI Индыл. Хъыбар Сократ и Iущыгъэ Сократ зыгуэр еупщIащ: — Уи ныбжьэгъум уэр щхьэкIэ къызжиIар пщIэрэ? — Зэ умыпIащIэт, — къигъэувыIащ ар Сократ, — а жыпIэнум япэ щIыкIэ щэ егупсысыж. — Щэи? — Сытым дежи, зыгуэр жыпIэн и пэ щэ уегупсысыжын хуейщ. Япэрауэ, пэжрэ пцIырэ зэхэгъэкIыпхъэщ. Иджыпсту къызжепIэнур пэжу ущыхьэт? — Хьэуэ, сэ зэхэсхар бжесIэжыну аращ. — Апхуэдэу щыхъукIэ, ар пэжрэ пцIырэ пщIэркъым. ЕтIуанэрауэ, а жыпIэнум гуапагъэ гуэр пылъын хуейщ. Си ныбжьэгъум щхьэкIэ зы фIы гуэр къызжепIэну ара? — Хьэуэ, фIыкъым, Iейщ. — Си ныбжьэгъум фэ Iей къытебгъэуэну зыбогъэхьэзыр, — къыпищащ Сократ, — пэжми пцIыми умыщIэу. Ещанэ Iущыгъэм ущIэзгъэдэIунщ, — ар жыпIэнум сэбэпынагъ пылърэ пымылърэ уегупсысын зэрыхуейрщ. Уэ зи гугъу пщIыр Iэмал имыIэу сэ сщIэн хуей? ЗыгуэркIэ сэбэп къысхуэхъуну? — Хьэуэ, апхуэдэу Iэмалыншэу щыткъым. — АтIэ, — жиIащ Сократ, — жыпIэну узыхуейм пэжи хэлъкъым, гуапагъи къыпэкIуэнукъым, сэбэпынагъи пылъкъым. Сыт атIэ ар къыщIебгъэжьэххар?! Зыщыгъэгъупщэ… КIэщIу Джобс Стив мелардырыбжэ зэрыхъуар Къызэралъхурэ мази мыхъуауэ, ар нэгъуэщIым ипIыну иратащ. И ныбжьыр илъэси 9 щрикъум школым къыщIадзыжащ. Щеджэ лицейм илъэс 17-м иту къыщIадзыж. Ар уэрамым щожей, птулъкIэ нэщIхэр ищэурэ мэпсэу. Илъэс 20 щыхъум Индием макIуэ, захуагъэ лъыхъуэу. Ауэ щIыпIэр къемызэгъыу, зыбжанэрэ хьэлъэу мэсымаджэ. И ныбжьыр илъэс 21-рэ хъууэ, и гаражым компьютер щищIу щIедзэри, компание къыщызэрегъэпэщ. Ар лажьэу зэтриухуэн щхьэкIэ, ахъшэ хуейти, и хьэпшыпхэр ещэж. ТIэкIу докIри, и лэжьэ-гъум къыхыфIедзэ, зэдащIэ Iуэхум зыри къимыкIыну къыщохъури. КомпьютерыщIэхэр ищIу щыщIидзэм, аргуэру зыгуэрым къелъахъэ. Абы и проектыщIэр игъэкIуэтэн папщIэ, ахъшэ къыхухилъхьэну зыри тегушхуэркъым. Илъэс 25-рэ хъуа къудейуэ инвестор къегъуэт икIи проектым ехъулIэныгъэшхуэхэр къыпокIуэ. Зы сыхьэтым къриубыдэу щIалэщIэр Америкэм щынэхъ къулей дыдэ щIалэ мэхъу. Джобс Стивщ абы и цIэр. А гаражым къыщежьауэ щыта компанием зэреджэр «Apple»-щ. Дохъушокъуэ Синэ. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 5. Адыгэ цейм и щIагъым щIалъхьэ щыгъын. 6. Iугъуэ икIыпIэ. 7. Абы нэхърэ нэхъ гъунэгъуу цIыхум бгъэдыхьэ къуалэбзу къэзылъэтыхьхэм яхэткъым. 9. Шыхъуэ, жэмыхъуэ, джэдыхъуэ, мэлыхъуэ, … 14. ЦIыхуфI, жумарт, зи гур къабзэ. 16. Шым и кIуэкIэ. 17. Пхъэ уадэшхуэ. 18. Унагъуэ псэущхьэ: жэмым, шкIэм хуэдэу цIыхур абы елIалIэркъым, мэкъумылэ хэплъыхьакIэ ягъашхэ хабзэкъым. 20. Жьэражьэу хьэкум илъщ. 21. Фоч, кIэрахъуэ хуэдэхэр щыщымыIа пасэ зэманым къагъэсэбэпу щыта Iэщэ. 22. Дзэм къулыкъу щызыщIэ. 23. Партизанхэм фашистхэм хьэлэчыпцIэр зэрыхалъхьэу щыта Iэщэ. 24. Вакъэ лъапщэ кIыхь. 26. Гъуэгум иIэ кумблъэмбхэр. 28. Аслъэныр зыпэмылъэщ псэущхьэ. 29. Бжэныфэм къыхащIыкI къэп. 31. Зимыхьэпшып щэхуу зыгъэкIуасэ. 33. Краным къижым нэхърэ куэдкIэ нэхъ къабзэщ, нэхъ IэфIщ абы къыщибгъахъуэ псыр. 36. Къуаргъым нэ хуащIати, … жиIащ. 37. ЦIыхум игу илъ, зыщыгуфIыкI Iуэхугъуэ гуэр е ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъым и цIэр. 39. Гъатхэм пасэу ди щIыпIэм къолъэтэж. 41. Илъэсищэ. 42. Режиссерщ, продюсерщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэщ. Къехыу: 1. Гъатхэм пасэу щIым къыхэж удз гъагъэ шакъафэ-къащхъуафэ лъахъшэ. 2. Кхъухьлъатэзехуэу щыта, Совет Союзым и ЛIыхъужь. 3. ГъущI пIащIэ. 4. Iэщ цIыкIу. 8. Пхъэ иризэгуаудын папщIэ къагъэсэбэп гъущI кIапэ. 10. ЩIыпIэ хуабэхэм къраш пхъэщхьэмыщхьэ. 11. Члисэхэм къыщрагъауэ уэз-джынэшхуэ. 12. Абы «гъуэжьудзкIи» йоджэ. Ягъавэурэ шейуэ ираф. 13. «Сыт, … нэ фIыцIэ цIыкIу? Уеша мыгъуэ, тхьэмыщкIэ цIыкIу, щхьэ унэщхъей?» — ЩоджэнцIыкIу Алий и «Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказым щыщщ. 15. Адыгэ джэгуакIуэшхуэ Агънокъуэ … 16. ЩIэпхъаджагъэ зылэжьахэм пасэм тезырыр щрагъэпшыну щыта мащэ куу. 19. ФIыуэ зэрылъэгъуа ныбжьыщIитIыр зэпызыщIэ. 20. Драматург, артист, уэрэдус … Мурадин. 24. Цы плъыжьыфэ куэд зытет, адыгэм хущхъуэгъуэу къагъэсэбэпу щыта къэкIыгъэ. 25. Вакъэ, пыIэ зыщIхэм къагъэсэбэп щапхъэ. 26. Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ щIалэ. 27. Школ унафэщIым еджакIуэхэм … ящищIащ гъуэгу Iуфэхэр ягъэкъэбзэну. 30. ТхылъымпIэм итыр зэрыпэжым щыхьэт техъуэу трагъауэ дамыгъэ. 32. «АдакъэкIэу къэбгъэшрэ, пхъэшыкъу тIэкIу фIэбукIэрэ, къазшырыдзэм хуэдэу дупкIыкIмэ, … жыхуаIэр аракъэ?» — нарт фызыжь Уэрсэрыжь и псалъэ. 34. Уафэр …, Хьэрун мэгъуэг, гъуэгыу зытредзэ, и дзэр хуIуеуд. 35. УэрэджыIакIуэ гъуэзэджэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист Къуныжь … 38. … жыг яхуэфащэщ лъэпкъыр зэрыгушхуэ адыгэлI щэ-джащэхэм. 40. Зи кIуэцIыр нэщI. КупщIэ зэрымылъ. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. ЩIышылэм и 12-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 5. Иныжь. 6. Гъэужь. 9. Къущхьэ. 10. Фэдэн. 12. Зауэ. 15. Шухьэ. 16. Псыдыуэ. 19. Лэкъум. 22. ХьэщIэщ. 23. Куэбжэ. 25. Пхъэпс. 28. Къэб. 29. Ету. 30. Шэт. 33. Тхьэгъуш. 35. Хьэрып. 37. Щэбэт. 39. Бзий. 40. Алаушын. 42. Къуз-гъун. 45. Дерс. 46. Хэхэс. 48. Махэ. 49. Къубас. 50. «Нанэ». Къехыу: 1. Къандзэгу. 2. Хьэуазэ. 3. Бжьэф. 4. Бгъэн. 7. ПщыхьэщIэ. 8. Жумэрэн. 11. Дыд. 13. Пшыхь. 14. Имыс. 17. Соку. 18. Ужьэ. 20. Ущ. 21. Хъуп. 24. Батыр. 26. Ибэ. 27. Пшэ. 31. Хьэмидей. 32. Абазэхэ. 33. Тебэ. 34. Шху. 35. Хьэл. 36. Пхъы. 37. Щэ. 38. Танэ. 41. Уэх. 43. Псыбыб. 44. Емынэжь. 46. Хасэ. 47. Санэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24535.txt" }
ЦIыху хэтыкIэ зыщIэт, и IэщIагъэм хуэIэижьт Лэжьыгъэм хуэIэижь, школ унафэщI IэнатIэм и къару емыблэжу илъэс 17-кIэ пэрыта Дэхъушокъуэ Раисэ Назир и пхъур псэужамэ, щIышылэм и 19-м илъэс 57-рэ ирикъунут. 2012 гъэм и жэпуэгъуэм и 1-м, хьэлъэу сымэджа нэужь, ар дунейм ехыжащ. Дэхъушокъуэ Раисэ Раисэ къыщалъхуар Тэрч къалэщ. ГъукIакъуэхэ Назиррэ Алиярэ хабзэрэ нэмысрэ хэлъу къагъэхъуа хъыджэбзыр Дэхъушокъуэхи нысэ Iумахуэ яхуэхъуат. Ар зэпIэзэрытт, щэныфIэт, Iущт. Дэхъушокъуэ Рае лэжьэн щыщIи-дзар Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №2-рщ, 1983 гъэм. ИлъэситIкIэ абы пэщIэдзэ классхэм щIэсхэр щригъэджауэ, и лэжьыгъэм щыпищащ Налшык дэт 14-нэ гимназием. Бзылъхугъэм хэлъ Iэзагъымрэ зэфIэкIымрэ зэман куэд дэмыкIыу наIуэ къэхъуащ икIи 1990 гъэм гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ унафэщIым и къуэдзэу, 1995 гъэм унафэщIу ягъэув. Абы къыдалъхуами ярейт унафэщI нэсым хэлъын хуей тегушхуэныгъэри зэфIэкIри. ЩIэныгъэм и лъэныкъуэ псомкIи зызыужьын хуей еджакIуэхэми абыхэм я егъэджакIуэхэми щIэгъэкъуэныфIу ар яIэт. Апхуэдэуи школым гуагъэхьэжа сабий гъэсапIитIым екIуалIэ сабий 300-м нэблагъэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщын хуей щыхъуами, Раисэ и гуащIэ еблэжакъым. ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу мы школыр щапхъэу щагъэлъагъуэ хъуащ къалэми республикэми. Зэхуэдэу фIыуэ Дэхъушокъуэм, абы къыдэлажьэ гупым къайхъулIэрт щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ епха Iуэхухэр, а псомкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэу яIэт сабийхэм я адэ-анэхэри. Къатищу зэтет еджапIэм и пэшхэм, пщIантIэм, абы и спорт утыкум Рае щригъэкIуэкIа лэжьыгъэм ущриплъэжкIэ, умыгъэщIагъуэу къанэркъым а цIыхум бгъэдэлъа зэфIэкIыр: зы-хуей хуэза, уи гур щып-сэху еджапIэ хъуащ ар. ФIыгъуэщ апхуэдэ лъэужь дахэ дунейм къытебнэну. ЖытIэм къыгуэхыпIэ имыIэу дэщIыгъущ Дэхъушокъуэр и унафэм щIэт гупым зэрадэлэжьа щIыкIэри. Дэтхэнэ егъэджакIуэри зыхуэшэрыуэр къилъагъуфрэ ар и лъабжьэу я зэфIэкIхэр иунэтIурэт абы лэжьыгъэр зэрыригъэфIа-кIуэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, унафэщI псэемыблэжыр ядэлэжьащ егъэджакIуэ-гъэсакIуэу 160-м нэблагъэм, сабийхэмрэ школакIуэхэмрэ я бжыгъэр 1700-м нэсырт. Школым и пщIэр къэзыгъэлъагъуэ зы щапхъэщ мыбы зи бын щезыгъэ-джэну, щызыгъэсэну хуейхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпыту зэрыщытыр. ЕджапIэм нэхъ Iуэхугъуэшхуэу къылъыкъуэкIыр — ар сабий тIысыпIэу яIэм куэдкIэ щIигъуу сабийр къызэрекIуалIэрщ. ЩIэныгъэм и бжэр япэу Iузых ныбжьыщIэхэм Рае сыт щыгъуи захуигъазэрт гупагъэрэ IущыгъэкIэ гъэнщIа псалъэхэмкIэ. Ар езыри гуапэт, угъурлыт. Илъэс 23-кIэ инджылызыбзэмкIэ езыгъэджа, Рае къыдэлэжьа Жырыкъ Кларэ игу къегъэкIыж Дэхъушокъуэр: «Мы цIыхубзым нэхъ гъащIэ телъыджэ къэзыгъэщIа гъуэтыгъуейщ. Ар фIыуэ умылъагъункIэ Iэмал зимыIэт… егъэджакIуэ нэст, хуэдэ умыгъуэтыну школ унафэщIт, и псэ хьэлэлагъри гъунапкъэ зимыIэжыххэти, хузэфIэкIырт сыт хуэдэ IуэхукIи дэIэпыкъуэгъу къыпхуэхъуну. УзыIэпызышэ уардагъэ, дахагъэ хэлъри егъэлеят. И пхъуитIыр тэмэму зэригъэсам папщIэ, гуащIэшхуэ зыхилъхьа и лэжьыгъэфIым щхьэкIэ фIыщIэ хузощI а бзылъхугъэм. Сэ зэи слъэгъуакъым сабийхэм я ехъулIэныгъэм апхуэдизу иригуфIэ унафэщI. Ар гу къабзэт. — ЦIыху зэпIэзэрытт, гъэсэныгъэ зыхэлът, теплъэ дахащэ зиIэт ди унафэщI Дэхъушокъуэ Раисэ, — жеIэ илъэс куэдкIэ абы дэлэжьа егъэджакIуэ Бэждыгъу Юлэ. — Дэ ди хъыджэбз цIыкIухэр зэныбжьэгъут икIи зэклассэгъут, абы къыхэкIыуи куэдрэ дызэрихьэлIэрт. Сыт хуэдэ Iуэхури зэIубз зыщIыф цIыхут ар. ЗэхэщIыкI ин, Iэдэбагъ, бэшэчагъ, бзэ быдэ зиIэт. И цIыху щIыкIэкIи и щытыкIэкIи щапхъэ хэти хуэхъуфын цIыхуу дунейм тетащ Раисэ. Гъэ еджэгъуэщIэм зыщыхуэдгъэхьэзырыжкIэ, лэжьыгъэм Iэпщэ къару хилъхьэу, зыIэпишауэ дэ къыдбгъурыту лажьэрт. Сыт хуэдэ Iуэхуми хуэIэижьт. Творчествэм япэ лъэбакъуэр мы гимназием щыхэзыча уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Хьэцей Тимур жеIэ: «БлэкIа зэманым иту къызэрымыкIуэу гугъущ цIыху гуащIафIэ Дэхъушокъуэ Раисэ утепсэлъыхьыныр. Абы зэуIуу хэлът бзылъхугъэм иIэн хуей щыпкъагъэри дахагъэри. Ар узэщIакIуэт, гуп зыхэтым пщIэрэ нэмысрэ зыхуищI унафэщIт, еджакIуэхэми фIыуэ ялъагъурт. Сэ абы сригъэджащ икIи куэдрэ сигу къокIыж Алыфбейм и махуэшхуэ гуэрым уэрэд щыжысIауэ, абы едэIуа нэужь, гъэфIэныцIэу Орфей цIыкIу къысфIищауэ зэрыщытар. Абы и ужькIэ, мыгувэу, еджакIуэ цIыкIухэр уэрэд жыIэкIэм щыхуагъасэ «Орфей» студиер абы къызэIуихауэ щытащ. Сэри, сэ схуэдэу макъамэм гу хуэзыщIа куэдми, ди зэфIэкIхэм зыщедгъэужьащ абы. А зэманым къыддэлэжьат музыкэмкIэ егъэджакIуэ Iэзэ икIи цIэрыIуэ Бжьыней Марлен. Абырэ Раисэрэ я фIыщIэщ эстрадэм сызэрыхыхьар. Сэ сропагэ Дэхъушокъуэм хуэдэ цIыху дахэр си нэIуасэу зэрыщытам. Раисэ сэ сызэрыригъэджар урысыбзэмрэ литературэмрэщ. Нэхъ гугъу дыдэри тыншу къыдгурызыгъэIуэф егъэджакIуэ Iэзэм и дерсыр къытхуэмыгъэсу сыт щыгъуи дыпэплъэу щытащ. Зи щапхъэр дахэ ди егъэджакIуэр дэ зэи тщыгъупщэнукъым». Мы зэманым школ унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Власовэ Ларисэ: «ЕджакIуэ цIыкIухэм яхэлъ зэчийм зыщрагъэужь студие зыбжанэ мы гимназием щолажьэ Дэхъушокъуэм къызэригъэпэщауэ: «Адыгэ къафэ», «Иджырей бал къафэхэр», «Си Кавказ», нэгъуэщI куэди. Ахэр псори зыхуэунэтIар ди щIэблэр дахэу, щэныфIэу къэгъэхъунырщ. Абыхэм зыщызыгъасэ еджакIуэхэр жыджэру хэтщ къалэми республикэми щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм, увыпIэ нэхъыфIхэр къыщахь. Ар зи фIыщIэр, дауи, Раисэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ: 2007 гъэм екIуэкIа «Урысейм и школ нэхъыфI» зэпеуэм и япэ увыпIэмрэ ахъшэу зы мелуанрэ Дэхъушокъуэм школым къыхуихьауэ щытащ. КъищынэмыщIауэ, школ унафэщIхэм я аттестацэр, илъэситху къэс екIуэкIыр, абы зэпымычу щытхъу иIэу зэфIигъэ-кIырт. 1979 гъэм мы школыр къызэIузыха Тхьэбысым Къарней, абы къыкIэлъыкIуэу еджапIэм и унафэщIу щыта Мэзло Нинэ сымэ яIа лэжьэкIэм и лъабжьэ быдэр и пэкIэ имыгъэкIуэтамэ, зыкIи къигъэтIэсхъакъым Раисэ, абы и щыхьэтщ ди еджапIэм гимназие статусыр къызэрыратар. Дэхъушокъуэ Рае щхьэгъусэ пэжу, и хъыджэбзитI Алёнэрэ Лянэрэ я анэ гумащIэу, Хьэсэн, Ратмир, Эвеленэ цIыкIу сымэ я анэшхуэ псэ щабэу щытащ. Илъэс куэдкIэ и къару емыблэжу лэжьа, щIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ елIэлIа а бзылъхугъэм къратащ Налшык къалэ администрацэм, КъБР-м и Парламентым, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къабгъэдэкI щIыхь, щытхъу тхылъхэр. 1996 гъэм Дэхъушокъуэ Раисэ къыфIащащ «Отличник народного образования РФ», 2005 гъэм «КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр. ЦIыхугъэшхуэрэ зэфIэкIышхуэрэ зиIэу зыкъэзыгъэлъэгъуа, лъэужь дахэ къэзыгъэна Дэхъушокъуэ Раисэ Назир и пхъур дигу илъынущ ар зыцIыхуу щыта псоми. ЩЭУЕЙ Мидэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24539.txt" }
ПщыхьэщIэ Джумгъэ и уэрэдхэр Сирием щекIуэкI зауэм нэхъ щигуащIэгъуэ щIыпIэхэм ящыщщ къэрал экономикэм и щыхьэру ябж Хьэлэб къалэр икIи щIыналъэр мамыр щыхъужынур иджыри гурыIуэгъуэкъым. Нобэ фэдгъэцIыхуну ди гуапэ ПщыхьэщIэ Джумгьэ Хьэлэб щыщщ, илъэс тIощIрэ пщIыкIэ дзэм хэтащ. Тхьэмадэр, и унэгуащэр и гъусэу, лъагъунлъагъу къэкIуащ илъэс зыбжанэ и пэкIэ Хэкум къэIэпхъуэжа и къуитIым я деж. АрщхьэкIэ здагъэзэжыну я гугъа Хьэлэб кIуэ гъуэгум утехьэныр иджы дзыхьщIыгъуэджэщ, Хэкум къинэн щхьэкIэ узыхуэныкъуэ тхылъхэми лъэIэсыжыфхэркъым. Хьэлэб къыдэнащ Джумгьэ и хъыджэбз Iули. Зэкъуэшхэм — Мухьэмэдрэ Фаресрэ — я шыпхъур Хэкум къашэжыну хьэзырт, арщхьэкIэ Щам ирагъэхьа егъэблагъэ тхылъыр зэкIэ зэфIыхьакъым. Джумгьэрэ абы и унэгуащэмрэ я Iуэхур зэрыхъунур зэкIэ гурыIуэгъуэкъым: тхылъыншэу къэралым ис мыхъуну дадэмрэ нанэмрэ къэралитI зэхуакум дэзэрыхьащ: зым дэфтэрыншэу исыну хуиткъым, адрейм уихьэжыфыркъым. «Гъуэгур Хьумус нэс тэмэмщ, — жеIэ езы Джумгьэ, — итIанэ пыупщIащ. Хьэлэб сынэмысыжынумэ, мыхьэнэ иIэкъым сыщIежьэжынум. Хьэлэб сымыкIуэфынумэ, мыбы сыдэсынщ». «Зэманым къигъэлъэгъуэнщ» — аращ зэкIэ жэуапу щыIэр. А Iуэху зэхэзэрыхьам «и фIыгъэщ» Джумгьэ «Адыгэ псалъэм» къедгъэблагъэу зэрыцIыкIурэ гукIэ ихъума гъыбзэхэм дедэIуэну Iэмал щIэдгъуэтар. И щIалэгъуэм пшынэ еуэу щыта дадэм и лъапэ тригъауэхэмрэ и гур къызэфIэнэмэ пигъанэ тутынымрэ фIэкIа зыдимыгъэIэпыкъуу, и пшыналъэр къызыкъуех. Зэм уэрэдым хэтым игу щIогъури, и макъыр фIопкI, зэм ар къыжезыIа анэр игу къокIыж, зэми и Iуэху зэхэзэрыхьам хэкIыпIэ зэрыхуимыгъуэтыр гур къэзытIэщI псалъэхэмкIэ зыщхьэщегъэкI. Джумгьэ Iурылъыр «адыгэбзэжьщ»: ар нобэрей литературэбзэ къэпсэлъыкIэ пхъашэм теткъым: тенджызыр тен[г’]ыз-щ, кIэрахъуэр [кI]эрахъуэ-щ [чI]эрахъуэ-къым, чэсейр [к’]эсейщ. Макъ къипсэлъхэм хуэдэу щабэщ Джумгьэ и хьэлри, цIыху тынш зыдекIуэкIыгъуафIэщ. «Уэрэд зыдэз дыщэ пхъуантэкIэ» уеджэну зыхуэфащэ тхьэмадэм Хэкум ирахауи езыр щалъхуа Хъэнасир къуажэм щаусауи адыгэбзэм и хъугъуэфIыгъуэ куэд ехъумэ. Ахэр зэкIэлъыкIуэурэ газетым къытеддзэн ди мурадщ. Нобэ фи пащхьэ къитлъхьэ уэрэдхэм ящыщу тIур Хэкум щаусащ, тIур — Хъэнасир, адрейр — мухьэжыр гъуэгум. Гъыбзэхэм я тхыдэр Джумгьэ и псалъэкIэ къокIуэ. Хъэнасир къуажэр. 1960 гъэ Сурэтыр Къалмыкъ Аднан ейщ. «Хэкум докIыж мыгъуи» — Си адэшхуэр ПщыхьэщIэхэ ящыщщ, и цIэр ТIытIущ, Къулъкъужын икIащ. Аращ Хъэнасир нэкIуар. Си адэм илъэситху и ныбжьт мыбы щикIахэм, и цIэр Хьэлийт. Си нанэр, си анэм и анэр, уэрэджыIакIуэу щытащ адыгэ уэрэдыжьхэр ищIэу, пшынауэу. Абы си анэм зыкъом иригъэщIащ. Илъэсищэ — илъэситху чэму — псэуащ си анэр. КъызжиIэрт: мыхэр зэгъащIэ, къыпщхьэпэжынщ. Схъумащ иджыри къэс. Мы уэрэдыр гъуэгум щызэхалъхьауэ аращ. Дэ дызэрикIрэ илъэсищэрэ илъэсиблрэ мэхъу. Абы щыгъуэм яуса уэрэдщ мыр. Уорына ринэми уорына ринэми Уорына ринэми Хэкум докIыж мыгъуи. Мо тенджызыжь мыгъуэм Кхъухьхэр щызэрожэрэ Щауей Хьэжыжь мыгъуэм Iуфэр къежыхь мыгъуи. Уорына ринэми уорына ринэми Уорына ринэми Хэкум докIыж мыгъуи. Пщыунэ Гъазий мыгъуэр ЗэрыпщэкIыхь мыгъуи, Гъуэгуанэ кIыхь мыгъуэм Дытеува мыгъуи. Уорына ринэми уорына ринэми Уорына ринэми Хэкум докIыж мыгъуи. ЩIыбагъ балийхэри къызэтолъалъэрэ, Ди нэпс цIыкIуитI мыгъуэр КъытфIолъэлъэх мыгъуи. Уорына ринэми уорына ринэми Уорына ринэми Хэкум докIыж мыгъуи. Кхъужь-мыIэрысэхэри къызэдогъагъэрэ Сабийм дахэплъэмэ ди гъын къагъакIуэ мыгъуи. Уорына ринэми уорына ринэми Уорына ринэми Хэкум докIыж мыгъуи. Чэсей хъар хужь мыгъуэр ЩIыфэм хогъуащэрэ Дызэхэгъуэща мыгъуэу ДыкъэкIуа хъуа мыгъуи. Уорына ринэми уорына ринэми Уорына ринэми Хэкум докIыж мыгъуи. Чэсей хъар фIыцIэ мыгъуэм ЩIыфэр къыреIэрэ, Ди гум къеIа мыгъуэр Ди Iыхьлы тIэкIу мыгъуэрщ. Уорына ринэми уорына ринэми Уорына ринэми Хэкум докIыж мыгъуи. Истамбыл гъуэгури фи накIуэ-къакIуэщи, Анзорхэ я къуэ мыгъуэр Уэркъ къагъэделэ мыгъуи. Уорына ринэми уорына ринэми Уорына ринэми Хэкум докIыж мыгъуи. Мо мафIэгужь мыгъуэм ЩIым дрешыжь мыгъуи, Марискэстаникэми* ДыщызэхокIыж мыгъуи. *Марискэстаникэ — Марьинскэ станицэ, мафIэгу тедзапIэ. «Шы къарэжь» — Мы уэрэдыр щаусар Хэкуращ, адыгэхэр ермэлыхэм (армянхэм) щезэуам щыгъуэ. Зытеухуар Къуэдзокъуэхэ я щIалэщ. И анэр дунейм ехыжати, и адэм къишэжауэ къыщхьэщытыр анэнэпIэст, езыми щхьэгъусэ къишауэ зы бын закъуэ иIэт. ЩIалэр дзэм хэтт. Махуэ гуэрым пIащIэу щыдэкIым, зэрымыщIэкIэ жьэхэуэри, шэ фалъэр ирикIутащ. И анэнэпIэсыр асыхьэтым «Шэр къыптихуэ» жиIэри къебгащ, щIалэми къигъэзэжакъым. Шы къарэжьурэ шы къарэжь, Мащэ Iуфэм ущоджэгу. Армянышэурэ къэцIывахэр Сэ си гущхьэ мыгъуэм щыджэгуаи. Армянышэурэ къэцIывахэр Сэ си гущхьэ мыгъуэм щыджэгуаи. Уорынэ, уорынэ, уорынэ, уэй, Уанауринэу ринанай, Уорынэ, уорынэ ринэу ринэ, Уэр, Къуэдзокъуэхэ, дыунэжаи. Шэ фалъэшхуэр щискIутам «Шэр къыптихуэ» къызжепIаи, Шэ фIыцIэжь мыгъуэр къыщыстехуэм Гыбзэ Iей мыгъуэр сигу къэкIаи. Шэ фIыцIэжь мыгъуэр къыщыстехуэм, И бзэ Iей мыгъуэр сигу къэкIаи. Уорынэ, уорынэ, уорынэ уэй, Уанауринэу ринанай, Уорынэ, уорынэ ринэу ринэ, Уэр, Къуэдзокъуэхэ, дыунэжаи. Уэр си шыпхъуурэ ФатIимэт, Сэ щхьэкIэ куэдрэ умыгъ, Пшынэ фIыцIэр уи куэщI илъхьи, Си гъыбзэ мыгъуэр схуэусыж. Пшынэ фIыцIэр уи куэщI илъхьи Си гъыбзэ мыгъуэр схуэусыж. Уорынэ, уорынэ, уорынэ уэй, Уанауринэу ринанай, Уорынэ уорынэ ринэу ринэ, Уэр Къуэдзокъуэхэ дыунэжаи. Си щхьэгъусэурэ Iэминэт, Ущысынкъым, удэкIуэнщ. УщыдэкIуэкIэ, си фэеплъу Си сабий мыгъуэм усхуеплъын? УщыдэкIуэкIэ, си фэеплъу Си сабий мыгъуэм усхуеплъын? Уорынэ уорынэ уорынэ уэй, Уанауринэу ринанай, Уорынэ, уорынэ ринэу ринэ, Уэр Къуэдзокъуэхэ дыунэжаи. Си ныбжьэгъуурэ уэр Хьэмид, УщыIэнкъым, укIуэжынщ. УщыкIуэжкIэрэ дыдей дыхьи, Си кIуэдыкIэ мыгъуэр схуажеIэж. УщыкIуэжкIэрэ дыдей дыхьи, Си кIуэдыкIэ мыгъуэр схуажеIэж. Уорынэ, уорынэ, уорынэ уэй, Уанауринэу ринанай, Уорынэ, уорынэ ринэу ринэ, Уэр Къуэдзокъуэхэ дыунэжаи. Шы къарэжьурэ сызытесари Мы губгъуэжьым ихьэжаи, Iэщэ-фащэурэ сэ сIыгъахэр ЩIы фIыцIэжь мыгъуэм щIэкIуэдаи. Iэщэ-фащэурэ сэ сIыгъахэр ЩIы фIыцIэжь мыгъуэм щIэкIуэдаи. Уорынэ, уорынэ, уорынэ уэй, Уанауринэу ринанай, Уорынэ, уорынэ ринэу ринэ, Уэр Къуэдзокъуэхэ дыунэжаи. Мы губгъуэжьурэ сызэрылъым Письмо тхылъыр къызотхыкI, Письмо тхылъри къывнэмысу Си псэ IэфI мыгъуэр щIым щIахьаи. Лъостэхъанрэ Хьудрэ — Мы уэрэдыр куэдым зэхащIыкIыркъым, псалъэ хэтхэм апхуэдизкIэ ухуэкIэ гъэщIэгъуэн яIэщи. Езыр щаусар Хэкуращ. «Уэ зегъэшэрашэри, уэ зегъэшэрэз. Уэ Шэрэш и къазу Лъостэхъан зэрыжьэгъуху», — жи. «Уэ Къумыху и бжьэу, Лъостэхъан зэрыкIуэкIафIэ», — жи. Бжьэм и лъэтэкIэм ирегъэщхь хъыджэбзым и зекIуэкIэр. ЩIалэм и цIэр Хьудщ, хъыджэбзым — Лъостэхъан. Пщащэр къегъэкIуасэри, щIалэр мэзым щIохьэж. Бабыгуейхэр мэтэдж, къамэ яIыгъыу бзылъхугъэр къытрахыжри, нэгъуей гуэрым ират. Ар зи гум темыхуэ Лъостэхъан еус уэрэдыр. А зегъэшэрашэ мыгъуэри а зегъэшэрэзи, А Шэрэш и къаз мыгъуэу, Лъостэхъан зэрыжьэгъухуи, А Къумыху и бжьэ мыгъуэу, Лъостэхъан зэрыкIуэкIафIи. Данагъуэу си щхьэцыгъуэшхуэ мыгъуэри Хьудми и дзажэ щIэдзи, Iэдиихуу си блэ хужьитIхэ мыгъуэри Хьудми и пщэрыдзэни. Сэ Хьуд хуэдэ щIалэ мыгъуи Дэнэ мыгъуэм укъисхыжыни? Сыт мыгъуэ си Лъостэхъан! Бабыгуейм лIыщхьэурэ дэсхэ мыгъуэми Къамэпэ къыздрашэхи, ИщхъэрэкIэ срашэхыж мыгъуэри, Нэгъуейми сыныратыжи. Уо нарынэ хьай-рай Сыту мыгъуэу сыкIуэдыкIей! Сыт мыгъуэ си Лъостэхъан! Хьудми и щIакIуэ гъуабжэ мыгъуэри МащIэрэ зэрыкъэбыфи, Бабыгуейм фэ фи тIэкIу мыгъуэри Лъостэхъан къыфтрихаи. Уо нарынэ хьай-рай Сыт мыгъуэ си Лъостэхъан! Хьудми и щхьэц зэтелъхэр мыгъуэри А си дзажэ щIэдзти, Хьудми и щIакIуэ гъуабжэ мыгъуэри А си жэщ тепIэнти. Хьудми и шухьэ бащлъыкъхэр мыгъуэри А си щхьэфIэпхыкIти. Сэ Хьуд хуэдэ щIалэ мыгъуэ Дэнэ мыгъуэм укъисхыжыни? Сагьдия — Къуэдзокъуэ Сагьдия жаIэри зы пщащэ диIащ къуажэм. Хъыджэбз дахэт икIи Iущт ар. Пшынэ еуэртэкъым, ауэ уэрэд иусырт. «Iисмэт и гъыбзэри» абы зыхилъхьащ. Абы зы щIалэ гуэр фIыуэ илъагъурт ди къуажэм щыщу, ЛъэкIампIашэхэ я къуэт, и цIэр Хьэсэнт. Ауэ и адэм (абы и адэрат Хэкум икIар) Хьэсэн иримыту Зэкрей жаIэри нэгъуэщI зыгуэрым иритащ. Уэрэдыр Сагьдия и щхьэ хуиусыжауэ аращ. Уаринэу ринэ уо нарынэ, Уа ринэу ринэрай, Уаринэу рынэ уо нарынэ, Сызэгуоуд мыгъуи сэ. Губгъуэ тхьэрыкъуэр, а сэрмыгъуэ, Псыми кIэлъокIуэ жи, Сэ сызыкIэлъыкIуэр, а сэрмыгъуэ, Си нитIым яз мыгъуэраи. Уаринэу ринэ уо нарынэ, Уа ринэу ринэрай, Уаринэу рынэ уо нарынэ, Сызэгуоуд мыгъуи сэ. Хъэнасир хадэм, а сэрмыгъуэ, Псыхэр йожэх мыгъуэ жи. Си нэкIущхьитIым, а сэрмыгъуэ, Нэпсхэр къожэх мыгъуи жи. Хъэнасир хадэм, а сэрмыгъуэ, Тхьэмпэр погъукIри жи. Ныбжьэгъу сызыхэтым, а сэрмыгъуэ, СахэгъукIа мыгъуи жи. Ныбжьэгъу сызыхэтым, а сэрмыгъуэ, СахэгъукIа мыгъуи жи. Уаринэу ринэ уо нарынэ, Уа ринэу ринэрай, Уаринэу рынэ уо нарынэ, Сызэгуоуд мыгъуи сэ. Хъэнасир Iуащхьэм, а сэрмыгъуэ, ЦIыхубзхэр докIри жи. Сэ си фэм дэкIыр, а сэрмахуэ, Хэт хуэсIуэтэн мыгъуи жи. Сэ си фэм дэкIыр, а сэрмахуэ, Хэт хуэсIуэтэн мыгъуи жи. Уаринэу ринэ уо нарынэ, Уа ринэу ринэрай, Уаринэу рынэ уо нарынэ, Сызэгуоуд мыгъуи сэ. Хъэнасир губгъуэм, а сэрмыгъуэ, Шэтыр щаухуэри жи. Iуэхур зыухуэр, а сэрмыгъуэ, Жэнэт Iыхьлы мыгъуи жи. Уаринэу ринэ уо нарынэ, Уа ринэу ринэрай, Уаринэу рынэ уо нарынэ, Сызэгуоуд мыгъуи сэ. Гъуэгу зэхэкIыпIэм, а сэрмыгъуэ, Уэ уныкъуокIри жи. Уэ къыппыкъуэкIахэр, а сэрмыгъуэ, Уигу иримыхьа мыгъуи жи. Уэ къыппыкъуэкIахэр, а сэрмахуэ, Уигу иримыхьа мыгъуи жи. Уаринэу ринэ уо нарынэ, Уа ринэу ринэрай, Уаринэу рынэ уо нарынэ, Сызэгуоуд мыгъуи сэ. Хъэнасир щIалэхэр, а сэрмыгъуэ, Къызэдофийри жи. Уэ уи фий макъыр, а сэрмахуэ, Уэр яхэмытыж мыгъуи жи. Уэ уи фий макъыр, а сэрмахуэ, Уэр яхэмытыж мыгъуи жи. Уаринэу ринэ уо нарынэ, Уа ринэу ринэрай, Уаринэу рынэ уо нарынэ, Сызэгуоуд мыгъуи сэ. Си Iэлъын цIыкIур, а сэрмыгъуэ, МыщIитIу зэгуэси ей. ЩIалитI зэгуэсым, а сэрмыгъуэ, Уакъыхэсха мыгъуи жи. Уаринэу ринэ уо нарынэ, Уа ринэу ринэрай, Уаринэу рынэ уо нарынэ, Сызэгуоуд мыгъуи сэ. Хъэнасир гъуэгури, а сэрмахуэ, Зэрынашэкъаши рай-ей, Си къэшэн закъуэр, а сэрмыгъуэ, Сыгъыу дашыж мыгъуи жи. Си къэшэн закъуэр, а сэрмахуэ, Сыгъыу дашыж мыгъуи жи. Iисмэт и гъыбзэ — Iисмэт и гъыбзэр Хъэнасирым щаусауэ уэрэдщ. Индрисхэ (Хэкум икIа Къардэнхэ) я нысашэт. Iисмэт жаIэри Мамхэгъхэ ящыщ хъыджэбз дахэ джэгум кIуэну зигъэхьэзырырт. И анэм и цIэр Фаризщ, нысащIэм — Кэусэр. Зы Iэлъын и гъунэгъум и деж къилъэIухущ аби, ари зыIэритIагъэри кIуащ пщащэр. А Iэлъыныр къезыта гъунэгъум и цIэр Назирэщ. НысащIэр унэ щрашэм, Елджырокъуэхэ ящыщ зы щIалэм, Камил и цIэу, шэ игъауэу щIидзащ. Шэр къэлъеижри, а Iисмэтым къытехуащ, и пIи къикIакъым. Уо ныранэринэ ринэ ринэми, Уо ныранэ ныранэ ринэ, Уонарынэ рынанэ ринэ мыгъуэми, Iисмэтыр хьэдэ гуузи. Мамхэгъхэ фи абдж щхьэгъубжэ мыгъуэми Iисмэтыр къытолъэщIыхьи, Уи анэр къыптелъэщIыхь мыгъуэурэ Индрисхэ удигъэхьаи. Уи анэр къыптелъэщIыхьу мыгъуэурэ Индрисхэ удигъэхьаи. Уо нэрынэ рынанэ ринэ ринэми, Уо ныранэ рынанэ ринэ, Уо ныранэ рынанэ рынэ ринэми, Исмэтыр хьэдэ гуузи. Мамхэгъхэ фи унэ лъагэ мыгъуэри Iисмэтым къегъэщIэращIи, Iисмэтыр гъэщIэрэщIауэ мыгъуэурэ АлэрыбгъукIэ къыфхуахьыжаи. Iисмэтыр гъэщIэрэщIауэ мыгъуэурэ АлэрыбгъукIэ къыфхуахьыжаи. Уо ныранэ рынанэ ринэ ринэми, Уо ныранэ рынанэ ринэ, Уо ныранэ рынанэ рынэ ринэми, Iисмэтыр хьэдэ гуузи. Назирэм и Iэлъын цIыкIуу мыгъуэри Дахэурэ къыпIэретIагъи, Iэрыхыжыгъуэм ухунэмыс мыгъуэурэ ХьэдэгъэпскIым Iэрахыжаи. Iэрыхыжыгъуэм ухунэмысу мыгъуэурэ ХьэдэгъэпскIым Iэрахыжаи. Уо нэрынэ рынанэ ринэ ринэми, Уо ныранэ рынанэ ринэ, Уо ныранэ рынанэ рынэ ринэми, Iисмэтыр хьэдэ гуузи. Мамхэгъхэ фи куэбжэшхуитIу мыгъуэри Нэхущым къызэIувохи, Жэнэтыбжэр зыхуIуаха мыгъуэри Iисмэту хьэдэ гуузырщ. Жэнэтыбжэр зыхуIуаха мыгъуэри Iисмэту хьэдэ гуузи. Уо нэрынэ рынанэ ринэ рынэми, Уо ныранэ рынанэ ринэ, Уо нэрынэ рынанэ рынэ ринэми, Iисмэтыр хьэдэ гуузи. Iисмэтым и данэ бэлътокухэр мыгъуэри АтIэ мыгъуэ Iэгум йокIуади, Iисмэтыр зытекIуэда мыгъуэри Кэусэрым и унэиши. Iисмэтыр зытекIуэда мыгъуэри Кэусэрым и унэиши. Уо ныранэ ныранэ ринэ ринэми, Уо ныранэ рынанэ ринэ, Уо ныранэ рыранэ рынэ ринэми, Iисмэтыр хьэдэ гуузи. Индрисхэ фи самоварышхуэ мыгъуэри ФIамыщIым къызэгуеуди, Iисмэтыр зэгуэзыуда мыгъуэри Камилым и кIэрахъуэши. Iисмэтыр зэгуэзыуда мыгъуэри Камилым и кIэрахъуэши. Уо ныранэ рынанэ ринэ рынэми, Уо ныранэ рынанэ ринэ, Уо ныранэ рынанэ рынэ рынэми, Iисмэтыр хьэдэ гуузи. Мамхэгъхэ фи уэрам кIыхьу мыгъуэми АтIэ мыгъуэ дахэу уроплъи, Iисмэтым и зэ Iуплъэгъуэ мыгъуэри Елджырокъуэ псоми фи уаси. Iисмэтым и зэ Iуплъэгъуэ мыгъуэри Елджырокъуэ псоми фи уаси. Уо ныранэ ныранэ ринэ ринэми, Уо ныранэ ныранэ ринэ, Уо ныранэ ныранэ рынэ рынэми, Iисмэтыр хьэдэ гуузи. Къущхьэурэ фи малъхъэ цIыкIуу мыгъуэми Тхылъри зэбгрегъэхри, Iэзэми ущызэIих мыгъуэми Къуажэми ди хьэдагъэшхуи. Iэзэми ущызэIих мыгъуэми Къуажэми ди хьэдагъэшхуи. Уо ныранэ ныранэ ринэ ринэми, Уо ныранэ ныранэ ринэ, Уо ныранэ ныранэ рынэ рынэми, Iисмэтыр хьэдэ гуузи. Индрисхэ фи нар* жыгышхуэ мыгъуэми Жьауэри дахэу къытхедзи, КIэрахъуэшэр къыщытхадза мыгъуэми Iисмэтыр къытхиудаи. *Нар — гранат. Зытхыжар ЧЭРИМ Марьянэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24542.txt" }
Сосрыкъуэ пашэщ Москва и Ипщэ-КъуэкIыпIэ административнэ округым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Гъэм спортымкIэ и лауреат-2012» зэхьэзэхуэр. Абы «Спортсмен нэхъыфI» номинацэм щытекIуащ Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ. ХьэтIохъущыкъуей школыр къиуха нэужь, ди лъахэгъур физическэ щэнхабзэм щыхурагъаджэу къалащхьэм дэт институтым щIэтIысхьащ. Сосрыкъуэ зэрысабий лъандэрэ спортым дехьэх. Абы бэнэнымкIэ и япэ тренеру щытащ республикэм щыцIэрыIуэ Тезадэ Хьэсэн. Абы и нэIэ щIэтурэ, щIалэщIэм зиужьащ. Урысейм чемпион, Европэм ныбжьыщIэхэм я деж чемпион щыхъуащ, дунейпсо класс зиIэ спортым и мастерым и мардэхэр игъэзэщIащ. ЦIыхухъухэм я урысейпсо зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр, щIалэгъуалэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ. Иджыпсту спортсменым и тренерщ Къардэн Анзор. Москва здэщыIэм, абы зыщегъасэ Ярыгин Иван и цIэр зезыхьэ спорт унэм, тренерыр Швырев Сергейщ. Абы кърикIуари наIуэщ — Сосрыкъуэ Москва и административнэ округхэм ящыщ зым и спортсмен нэхъыфI хъуащ. Дауи, спортсменым и ехъулIэныгъэхэм ирогуфIэ и анэ Зулифэтрэ и адэ Хьэрэбийрэ, и къуэш нэхъыщIэ Алихъан сымэ. Алихъани классикэ бэнэкIэм зыщыхуегъасэ Тезадэ Хьэсэн и деж. Сосрыкъуэ и къуэш нэхъыщIэр и нэIэ щIигъэтщ, зыужьыныгъэкIэ, ехъулIэныгъэкIэ щогугъ. Алокъуэ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24548.txt" }
Уэрэдыр IуэхукIэ зыгъэдахэ Лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэр нэхъыжьхэм яхуэфащэрэ къызыхэкIахэр ягъэбжьыфIэу псэумэ, абы нэхъыфI сыт щыIэ?! Езыр дихьэхыу зригъэгъуэта IэщIагъэм и лъахэм зыдиузэщIу, куэдрэ къраIуэ и цIэм лъэпкъым и щхьэр лъагэу иригъэлъагъужу къытхэувэ зи щIалэгъуэхэм ящыщщ зи гугъу фхуэтщIынур. Пасэ дыдэу уэрэд жыIэн щIэзыдза, республикэ утыкум иткIэрэ ди лъахэгъухэм къацIыхуа Хьэцей Тимур и ехъулIэныгъэхэм мызэ-мытIэу дытетхыхьащ. Абы лъандэрэ куэд мыщIами, Тимур и ныбжьыр жыжьэ нэмысами, зи уэрэд жыIэкIэр зи IуэхукIэ зыгъэдэхэж IэщIагъэлI хъуащ. УэрэджыIакIуэ Iэзэ, режиссер IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, макъамэ дахэхэр зи IэрыкI, Ингушым, КъБР-м щIыхь зиIэ я артист Хьэцей Тимур «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщ. Илъэс зыбжанэ и пэкIэ ди республикэм и уэгум вагъуэ цIыкIуу къыщылыдар иджы IэщIагъэ къыхихам хуеджа лэжьакIуэ хъуащ. Абы и ехъулIэныгъэхэм ящыщщ урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм къыщихьа текIуэныгъэхэр, къыфIаща цIэ лъапIэхэр, къыхуагъэфэща саугъэт гукъинэжхэр. Псэунри, еджэнри, уэрэд жыIэнри, лэжьэнри мыщхьэхыу зэрызэдихьыр арагъэнщ Тимур бгъэдэлъ къулеигъэ псор къызыпэкIуэр. ФIы дыдэу зэреджэмкIэ зыхэтхэм къахэщу щIэсащ ар мы гъэм къиуха Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ Москва къэрал университетым, абы и щыхьэт нахуэщ щIалэм и диплом плъыжьыр. Университетым зэрыщеджэм хуэдэурэ, ЭстрадэмкIэ Москва академием IэщIагъэм зыщыхуигъасэ курсхэр Кобзон Иосиф деж къыщиухащ Тимур. Апхуэдэуи и зэфIэкIымрэ лэжьыгъэм и щэхумрэ щигъэунэхуащ «Илъэсым и уэрэд» фестивалми, къалащхьэм щекIуэкI нэгъуэщI пшыхь гъэщIэгъуэн куэдми, режиссер нэхъыщхьэм и дэIэпыкъуэгъуу лажьэурэ. Тимур гъэсэныгъэ дахэ хэлъщ, хабзэрэ нэмысрэ зезыхьэщ, егъэлеяуэ хэкупсэщи, хузэфIэкI псор къыщалъхуа лъахэм зэрыхуищIэным иужь итщ. Ар зыхуеджамрэ къэрал псом къыщалъытэ IэщIагъэлIхэм ядэлажьэурэ зригъэщIамрэ Налшык къызэрыщигъэсэбэпыным иужь итщ. Апхуэдэ гуащIэм къыпэкIуа лэжьыгъэ тлъэгъуащ мы махуэхэм. Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгей, Ингуш республикэхэм я цIыхубэ артист Нэхущ Чэрим ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу ита концертхэм я режиссерыр Тимурщ. Хьэцейм и творческэ гъуэгуанэм гъуни ирилъакъым, гъуэгу кIыхьым, бгъуфIэм теува къудейщ. Ауэ абы зэрырикIуэн къарумрэ тегушхуэныгъэмрэ къыхуахьащ бгъэдэлъ зэчийм къыпэкIуа цIэ лъапIэхэм. И ныбжьыр илъэс 17 фIэкIа мыхъуу Ингушым щIыхь зиIэ и артист хъуащ, абы къыкIэлъыкIуэу, 2010 гъэм, щIалэщIэм гулъытэ хэха хуищIащ къыщалъхуа республикэми — Тимур хуагъэфэщащ «КъБР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр. Езым и макъ дахэм, зэхилъхьэ макъамэ гуакIуэхэм дахьэх цIыхухэри иIэжщ Тимур. Ахэращ абы и гукъыдэжым хэзыгъахъуэри, лэжьыгъэ нэхъ гугъухэм тезыгъэгушхуэри. Уеблэмэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм я мызакъуэу, Тимур къыщацIыху, езым итха макъамэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр игъэзащIэу зытет дискхэр щызэбграх нэгъуэщI къэралхэми. Абы уэрэд щыжиIащ Тыркум, Сирием, Иорданием, нэгъуэщI къэралхэм, уеблэмэ Италиеми Франджыми нэсащ. Уи щIалэгъуэмэ, зэчий ббгъэдэлърэ уи жаныгъуэмэ, къыппэщылъ гъуэгумрэ Iуэхумрэ ухуэщхьэхыркъым. Апхуэдэщ Тимур. АдыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, осетиныбзэкIэ уэрэд жызыIэ щIалэм и мурадхэмрэ гурылъхэмрэ гъунэншэщ. ЩIэ лъыхъуэным, сыт щыгъуи нэхъыбэж зригъэщIэным къыхуигъэщIа хуэдэщ ар. Абы и мурадхэм ящыщщ аспирантурэм щIэтIысхьэу философие щIэныгъэм хуеджэныр. Хьэцейм игу ирилъхьащ иджырей лъэхъэнэм адыгэ хабзэм щиубыд увыпIэр, ар зэрызэхэлъыр, цIыхухэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэр къихутэну. «Сэ сыт щыгъуи сыдахьэхырт къалэшхуэхэм къыщыщIэнэ нэхумрэ уэгум ит вагъуэхэмрэ. Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал колледжыр къэзуха нэужь, си лъахэм къыщысхукъуэкIа Iэмалхэр хъарзынэт, ауэ творчествэм и гъунапкъэхэр зэрыабрагъуэм Налшык сыдишащ. ЕджапIэр къэзухащ «Махуэшхуэхэмрэ театр теплъэгъуэхэмрэ я режиссер» IэщIагъэр сиIэу. Уэрэд жыIэныр сызэрыцIыкIурэ сфIэфIщ, ар иджыри IэщIыб схуэщIынукъым, ауэ нэхъыбэм зеспщытыныр си хьэлщи, дяпэкIэ режиссер IэщIагъэми срилэжьэнущ», — къыддогуашэ Тимур. ЦIыхум и зэфIэкIымрэ и гурылъхэмрэ гъунэ яIэкъым. А псоми махуэ къэс зэрыхуэкIуэрщ ар зыгъэинри, и пщIэр зыIэтри. КъэкIуэнум мурад куэд хузиIэ щIалэщIэм дохъуэхъу а псори къехъулIэну. Нэхъыщхьэращи, Iэгуауэ мыужьыхымрэ цIыху нэгу зэлъыIухамрэ щымыщIэу куэдрэ утыку итыну ди гуапэщ! НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24551.txt" }