text
stringlengths
11
353k
meta
dict
Мы махуэхэм ЩIышылэм и 19, щэбэт 1847 гъэм «Кавказ» газетым тридзащ Адыл-Джэрий СулътIан и «Урыс-шэрджэс е адыгэ псалъалъэ, грамматикэ кIэщI щIыгъуу» тхыгъэр. 1965 гъэм Майскэ поселкэр къалэ ящIащ. ТхакIуэ, узэщIакIуэ, егъэджакIуэ Жылау Нурбий къызэралъхурэ илъэс 82-рэ ирокъу. Адыгэ усакIуэ, КIэрашэ Тембот и щIыхькIэ щыIэ саугъэтым и лауреат, «Адыгэ макъ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Дербэ Тимур и ныбжьыр илъэс 39-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 3 — 5, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ. ЩIышылэм и 20, тхьэмахуэ Уэсым и дунейпсо махуэщ 1588 гъэм Урыс пащтыхь Федор Иван и къуэм Кремлым щригъэблэгъат Черкасскэхэ Темрыкъуэ и къуэ Мамсрыкъуэрэ Къамболэт и къуэ Къудэнэтрэ (зэкъуэш бынхэт). 1921 гъэм Бгырыс АССР-р къэунэхуащ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 1 — 4, жэщым щIыIэр градуси 4 щыхъунущ. ЩIышылэм и 21, блыщхьэ УФ-м и инженер дзэхэм я махуэщ 1918 гъэм Адыгейм Совет властыр щагъэуващ. 1924 гъэм Ленин (Ульянов) В. И. дунейм ехыжащ. 1985 гъэм Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан дунейм ехыжащ. КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу. УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Мэлбахъуэ Борис и ныбжьыр илъэс 67-рэ ирокъу. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ БищIо Борис и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 1 — 3, жэщым щIыIэр градуси 2 — 1 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24554.txt" }
Ди къуэш республикэхэм ЩIыдагъэм и хъер Адыгей. ЩIыдагъэм щелэжь завод республикэм щаухуэнущ. Абы инвесторым сом мелуан 500 хухихакIэщ. Апхуэдэ зэгурыIуэныгъэр Адыгеймрэ «Антей» ЗАО-м и унафэщIымрэ «Сочэ-2012» форумым щызэращIылIауэ щытащ. 2016 гъэм лэжьэн щIэзыдзэну заводым республикэ бюджетым илъэс къэс налогыу хилъхьэнущ сом мелуан 500. «Антей» компанием и унафэщI Бэч Абукаррэ Адыгейм и Министрхэм я кабинетымрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, заводыр Тохъутэмыкъуей куейм щаухуэну я мурадщ. Илъэсым ар щIыдагъэ тонн мелуани 6-м елэжьынущ, проектым текIуэдэнущ сом мелард 30. Мелард ныкъуэм щIигъу Къэрэшей-Шэрджэс. Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зегъэужьыным теухуауэ республикэм щагъэбелджыла Iуэхугъуэхэм 2013 гъэм сом мелард ныкъуэм щIигъу трагъэкIуэдэнущ. КъШР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм ипкъ иткIэ, республикэм абы хухиха мылъкум федеральнэ бюджетми къыдыщIигъунущ. Нэхъыщхьэу ахъшэр трагъэкIуэдэнущ цIыхухэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр нэсу яхуэщIэным, зыхуеину Iэмэпсымэхэмрэ хущхъуэхэкIхэмкIэ сымаджэщхэр къызэгъэпэщыным. Уасэм зэрыхэхъуэм егъэпIейтей Абхъаз. Республикэм и президент Анкваб Александр экономикэмкIэ министр Ирадян Давид щыIущIам хьэжыгъэм и уасэм, щIакхъуэгъэжьапIэ заводхэр зэрылажьэм тепсэлъыхьащ. Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, Урысейм и мызакъуэу, нэгъуэщI къэралхэми щыIа уэгъум и зэранкIэ, иужь мазэхэм гуэдз хьэжыгъэм и уасэм дэнэ щIыпIи щыхохъуэ. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу нэхъ мащIэ хъуащ Абхъазым хьэжыгъэу къыIэрыхьэр. Республикэм и унафэщIым министрым къалэн щищIащ щIакхъуэгъэжьапIэ заводхэм я лэжьыгъэр къипщытэну, Iэмал щыIэххэмэ, уасэр зэтраIыгъэну. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24556.txt" }
Нэхущым и хьисэпыр Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и институтым щекIуэкIащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и тхьэмадэ, профессор Нэхущ Iэдэм къыдигъэкIа «Нагруженные уравнения и их применение» тхылъыщIэр утыку къыщрахьэ зэIущIэ. Нэхущ Iэдэм зи цIэр дуней псом щыIуа еджагъэшхуэщ, щIэныгъэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэр зэфIэувэнымкIэ, зиужьынымкIэ абы и япэ къэхутэныгъэхэр лъабжьэ быдэ хъуащ. Зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ икIи къызэгъэпэщакIуэ емызэшыжу щыт еджагъэшхуэм къызэIуихащ щIэныгъэ еджапIэ лъэщ, абы къыщIэкIахэр нобэ ехъулIэныгъэхэр яIэу щолажьэ Урысейм и хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм я мызакъуэу, хамэ къэралхэми. ЩIэныгъэ лэжьыгъэр утыку къыщрахьэ зэхыхьэм кърагъэблэгъат Нэхущым и гъэсэнхэм ящыщу цIыху 20-м щIигъу. Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщI, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Нэхущ Викторие зэIущIэр къызэIуиха иужь, тхылъыр зи IэдакъэщIэкIыр тепсэлъыхьащ ар зэрызэхигъэувам, абы и тхыдэм. КъызэрыщIэкIымкIэ, «Нагруженные уравнения» фIэщыгъэцIэр япэу къыщыгъэсэбэпа абы и щIэныгъэ лэжьыгъэр 1976 гъэм къыдэкIа «Дифференциальные уравнения» журналым къытехуауэ щытащ. Абы щыгъуэм щIэныгъэлI щIалэр пIащIэртэкъым и лэжьыгъэр къытригъэдзэну, атIэ нэхъыжьхэм ящыщ гуэрым ар нэхъапэкIэ иджамэ, зригъэщIэну хэтт. АрщхьэкIэ а унэтIыныгъэмкIэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэ куэдым я лъабжьэ хъуар Нэхущым и япэ лэжьыгъэрщ. ЗэIущIэр гъэщIэгъуэну екIуэкIащ: зи акъылкIэ, щIэныгъэкIэ зэтехуэ гупым я псалъэр купщIафIэт икIи щIэщыгъуэт. ЗыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм нэхърэ къэхутэныгъэщIэхэр нэхъ зыфIэгъэщIэгъуэн щIэныгъэлIым щIалэгъуалэм гу лъаригъатэрт дунейм къытехьа лэжьыгъэм къыщыгъэлъэгъуа унэтIыныгъэ щхьэхуэхэмкIэ гъэунэхуныгъэхэр зэрыпхуегъэкIуэкIынум. «Мис мы Iуэхугъуэм къэпхутэн куэд хэлъщ, уеблэмэ абыкIэ доктор диссертацэ пхуэгъэхьэзырынущ», — тригъэгушхуэрт щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр Нэхущым. Монографиер Москва щыIэ «ЩIэныгъэ» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. Абы куууэ къыщызэщIэкъуэжащ математикэ щIэныгъэхэмкIэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр зыхуэдэр, адэкIэ зиужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр. Хужь Наталье.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24558.txt" }
Ди зэпыщIэныгъэхэр
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24565.txt" }
Спорт хъыбархэр Фридрайд Iуащхьэмахуэ къапоплъэ ФрирайдымкIэ урысей ассоциацэм и жэрдэмкIэ, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и администрацэр, «Эльбрус и курортхэр» ОАО-р, КъБР-м бгы-лыжэ спортымрэ сноубордымкIэ и федерацэр, «Чегет» пансионатыр, «Rossignol» компаниер я щIэгъэкъуэну, гъатхэпэм и 25-м щегъэжьауэ мэлыжьыхьым и 1 пщIондэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIынущ фрирайдымкIэ Урысейм и «RUSSIAN BIGMOUNTAIN FREERIDE 2013» чемпионат зэIуха. Зэхьэзэхуэм зэхуишэсынущ бгы-лыжэ, сноуборд лIэужьыгъуэхэм дихьэх спортсмен нэхъыфIу, щIэзыдзагъащIэхэу 100-м щIигъу. Абы хэтыну кърагъэблэгъащ Iуащхьэмахуэ лъапэ, Домбей, Къуэбыдэ (Красная Поляна), Кировск, Камчаткэ, Москва, Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщ райдерхэр. Командэхэр Iуащхьэмахуэ лъапэ щызэхуэсын щIадзэнущ гъатхэпэм и 25-м. Спортсменхэмрэ хьэщIэхэмрэ иригъэблэгъэнущ «Чегет» пансионатым. Зэхьэзэхуэр щекIуэкIынущ Iуащхьэмахуэрэ Чегетрэ я егъэзыхыгъуэ нэхъ гугъухэм. А махуэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ дэкI кIапсэ гъуэгухэр хабзэм тету лэжьэнущ, зыгъэпсэхуакIуэхэм бгы-лыжэ гъуэгухэм къыщажыхьыну Iэмал яIэнущ. ФрирайдымкIэ зэхьэзэхуэхэр Iуащхьэмахуэ лъапэ щокIуэкI 2000 гъэм щегъэжьауэ. Илъэс 15 и пэкIэ абы къыщежьащ Урысейм и экстремал бгы-лыжэ спорт лIэужьыгъуэр. Къэралым и фрирайдер цIэрыIуэхэр Iуащхьэмахуэ лъапэ и бгы-лыжэ спортсменхэрщ. НобэкIэ ахэр нэхъыбэу яхохьэ фрирайдымкIэ дунейпсо, урысейпсо зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм я судья гупхэм. Тарим Алисэ. БэнэкIэ хуит Ярыгин Иван и цIэкIэ ЩIышылэм и 25 — 27-хэм бэнэкIэ хуитымкIэ Красноярск щекIуэкIынущ Ярыгин Иван и цIэкIэ къызэрагъэпэща дунейпсо зэхьэзэхуэ. Урысейм и командэ къыхэхам хэту абы Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр щахъумэнущ ди спортсмениблым. Ди къэралым и цIэкIэ зэхьэзэхуэм хэтынухэр яубзыхуащ. Апхуэдэ Iэмал иратащ 2012 гъэм екIуэкIа Урысей чемпионатым 1 — 5-нэ увыпIэхэр къыщызыхьахэм, Ярыгин Иван и щIыхькIэ къызэрагъэпэща зэпеуэм нэгъабэ ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэм, 2012 гъэм зэхэта дунейпсо зэхьэзэхуэхэм, Урысей Кубокым щытекIуахэм, Урысейм и абсолютнэ чемпионатым щытекIуахэм, 2012 гъэм Урысейм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэхэм и кIэух зэпеуэм пхыкIахэм, 2010 — 2011 гъэхэм екIуэкIа урысей чемпионатхэм, Урысейм пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ зэпеуэхэм щытекIуахэм. Апхуэдэу зэпеуэм хэтыну Iэмал ягъуэтащ бэнэкIэмкIэ академиеу Миндиашвили Дмитрий и цIэр зезыхьэм и саугъэтыр зыIэрыгъэхьэным теухуауэ щIышылэм и 11 — 13-хэм Красноярск щекIуэкIа зэхьэзэхуэм и финалистхэм. МахуищкIэ Красноярск щекIуэкIыну дунейпсо зэпеуэм хэтынухэм хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэу ЛампIэжь Мулид (кг 66-рэ), Урыш Анзор (кг 84-рэ), Махуэ Билал (кг 120-рэ), Мэшэжь Расул (кг 55-рэ), Джэду Аниуар (кг 74-рэ), ЦIыпIынэ Альберт (кг 84-рэ), Мусукаев Исмэхьил (кг 55-рэ) сымэ. Пщынокъуэ Залым, КъБР-м спортымрэ туризмымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24567.txt" }
ПщIэрэ зэрылъытэрэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм щекIуэкIащ «Зэрылъытэр — мамырыгъэм и къежьапIэщ» зыфIаща зэхыхьэр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Лъэпкъ библиотекэмрэ. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ библиотекэм и унафэщIым и къуэдзэ Арзанунц Александрэ. Ар тепсэлъыхьащ республикэм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ щIалэгъуалэм яку зэрылъытэ, пщIэ, зэгурыIуэ дэлъын щхьэкIэ республикэми, къапщтэмэ, библиотекэми щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм. — ЗэрытщIэщи, лъэпкъхэр зэкъуэгъэувэнымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэу щыIэр щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ теухуа зэхыхьэ зэхуэмыдэхэр къызэгъэпэщынырщ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, фIыуэ дызыщыгъуазэ «Ди Кавказ Ищхъэрэ» теленэтыныр, «Кавказ пшэплъхэр» радионэтыныр, литературэм, щэнхабзэм, гъуазджэм хухэха тхьэмахуэхэр, концертхэр, театр гъэлъэгъуэныгъэхэр, щIэныгъэ-практикэ конференцхэр, нэгъуэщIхэри. Лъэпкъхэр я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ щызэдэгуашэкIэ, дауи, яку дэлъ зэпыщIэныгъэр нэхъри егъэбыдэ. Абы и щапхъэщ нэгъуэщI щIыналъэхэм я махуэхэр ди республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэхэр нэгъуэщI щIыпIэхэм зэрыщекIуэкIыр, щэнхабзэ фестивалхэр, зэхуэсхэр Налшык гъэ къэс къызэрыщызэрагъэпэщыр, — къыхигъэщащ Арзанунц. Александрэ зэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ иужьрей илъэсхэм республикэм щекIуэкIа «Студент гъатхэ», «Къафэхэр — Iуащхьэмахуэ и щыгум», «Кавказыр ди зэхуэдэ унэщ», «Кавказым — мамырыгъэ», «Налшык — Кавказ Ищхъэрэм и щэнхабзэ къалащхьэщ», «Щэнхабзэм тегъэщIауэ Кавказ Ищхъэрэм мамырыгъэр щыгъэбыдэн», «Кавказ джэгухэр» фестивалхэр. ЩIалэгъуалэм Хэкур фIыуэ ялъагъуу, зэгъунэгъу лъэпкъхэм яку зэрылъытэрэ пщIэрэ дэлъу къэгъуэгурыкIуэным теухуауэ муниципальнэ, республикэ, къэрал библиотекэхэм я лэжьакIуэхэм тхылъеджэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм кIэщIу къытеувыIащ ар. Абы и щапхъэу къихьащ Хэку зауэшхуэм, лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм, махуэшхуэхэм, нэгъуэщIхэми теухуауэ къызэрагъэпэщ зэхыхьэхэр. Апхуэдэу, Арзанунц Александрэ къыхигъэщащ къэралым и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, щIыпIэ самоуправленэхэм я органхэм, щэнхабзэ, гъуазджэ, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зи гугъу тщIахэм Лъэпкъ библиотекэр зэрадэлажьэр. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Полиграфсервис и Т» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляровэ Марие къытеувыIащ терроризмэм пэщIэтыным, лъэпкъхэм пщIэ зэхуащIыным, щIэблэр гъэсэным теухуауэ палатэм къызэригъэпэщ зэхыхьэхэм, конференцхэм. КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и IэщагъэлI-эксперт Къагъырмэс Арсен тепсэлъыхьащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ щIалэгъуалэр зэрызэгурыбгъэIуэн, пщIэ яку дэлъу зэрыбгъэсэн Iэмалхэм. Шэшэн Республикэм и Шатой район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Эльмурзаевэ Зарэ и псалъэр триухуат жылагъуэм зэрызебгъэужьыну IэмалыфIу щэнхабзэр зэрыщытым. Ингуш Республикэм и къэрал филармонием и унафэщI Евлоев Ильяс тепсэлъыхьащ зэкъуэтыныгъэм, зэгурыIуэм щэнхабзэр я къежьапIэу зэрыщытым. Филологие щIэныгъэхэм я доктор ХьэкIуащэ Мадинэ и гугъу ищIащ щIэблэм Хэкур фIыуэ ялъагъуу, зэрылъытэу, пщIэ зэхуащIу къызэрыгъуэгурыкIуам теухуа хабзэхэр къэгъэщIэрэщIэжауэ зегъэужьын, хъумэн зэрыхуейм. Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и щIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Джаппуев Мусэ, «Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэ» IуэхущIапIэм и унафэщI Шинкаревэ Наталье, библиотекэм и лэжьакIуэхэр, ирагъэблэгъахэр. ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр Елъкъан Артур трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24570.txt" }
Iыхьэ зэхэдзэ ЩIэблэм ищIэн хуейщ тхыдэр. Абы ущымыгъуазэмэ, къэкIуэну гъащIэр екIурэ езэгъыу пхуэухуэнукъым (къэралым деж къыщыщIэдзауэ цIыху щхьэхуэм деж щыщIэкIыжу). Ди республикэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр зэрырахужрэ илъэс 70 ирокъу. Ар тхыдэм дежкIэ зы напIэдэхьеигъуэм хуэдизщ, ауэ цIыхумкIэ гъащIэ псо мэхъу… Зауэ (1941 — 1945) мыгъуэжьым имыгъэгуIа унагъуэ гъуэтыгъуейщ, зи лъапсэр игъэгъущыпари мащIэкъым… А зэманым зи сабиигъуэр хиубыдахэм ди къалэну къоув тлъэгъуамрэ тшэчамрэ я пэжыпIэр щIэблэм ягурыгъэIуэныр. УзэIэбэкIыжу блэкIам ухэIэзэщIыхьыж хъунукъым, ауэ дызыщымыгъуазэ гуэрхэр зэхуэщIауэ щыта архивым къыхэкIыжмэ — ар нэгъуэщIщ. Уэрэдым зэрыхэтым ещхьу жытIэнщи, «хужьыр хужьу, фIыцIэр фIыцIэу» щытын хуейщ. А тIум я увыпIэр зэхъуэжа хъуа нэужь, гъащIэр зэхозэрыхь, цIыхум хьэзаб къытохуэ. Къэрал унафэщIыр зэрыхуейм хуэдэу тхыдэр птхы хъунукъым: Хрущев щхьэкIэ зы, Брежневым и зэманым нэгъуэщI, абы къыкIэлъыкIуам щхьэкIэ щыIам емыщхьыжыхэхэр. Брежнев Леонид и «Малая земля»-р езым итхакъым, хуатхащ жаIэу псалъэмакъ зэрахьащ 70 гъэхэм. Ар унафэщI нэс мыхъуамэ, а тхылъым зи гугъу щищIахэр, зи Хэкум папщIэ зи лъыр абдежым щизыкIутахэр, зи гъащIэр дэр папщIэ зытахэр сыткIэ къуэнша?! Тхылъым зи гугъу щыщIа щIыпIэр 1949 гъэм сэ слъэгъуащ, Новороссийск сикIыу Геленджик автобускIэ пионер лагерым сашэу. Шоферыр гудзакъэ зиIэ гуэру къыщIэкIынти, машинэр къигъэувыIэри исхэм дигъэлъэгъуащ абдеж щекIуэкIа зауэ гуащIэм кърикIуар: хьэпшып вагон зэхэкъутар щыт щхьэкIэ, къызыхэщIыкIа гъущIи пхъэбгъуи шэ зытемыхуауэ, зыпхымыкIауэ зы IэгупIэ хъун иIэтэкъым. ГъэщIэгъуэнт абы цIыху псэууэ къикIыжыныр. Генсекым и тхылъыр къыдэкIа нэужь, а вагоным траха сурэту слъэгъуам пхъэбгъу лъэпкъ кIэрылъыжтэкъым, ауэ гъущIым гъуанэ-пщIанэу шэхэм я лъэужьыр телът… Унэм сыкъэкIуэжа нэужь, гъэщIэгъуэныщэ къысщыхъуа а теплъэгъуэм и гугъу си анэшхуэ Саупхъан (ТIасэ) щыжесIэм: «БдзапцIэ уэшх къыщешха мыгъуэти абы», — жиIэри къэгъащ. Нанэм и щIалищым ящыщ а щIыпIэм зэрыщыхэмыкIуэдар ищIэрт, ауэ езым хуэдэу гуIэж куэд зэрыщыIэм щыгъуазэти, и гур ящIэузырт. Псоми фIыуэ ялъагъуу щыта Кулиев Къайсын и усэ гъуэзэджэхэм ящыщ зым щитхыгъащ: «Зауэм дэнэкIэ къикI и шэри зытехуэр анэгурщ», — жиIэри. Ар шэч зыхэмылъщ. …Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэр Ростов къыфIамыгъэкIыну жаIэу зэхыдох. Сыт ищIыси бийм къахуэсэбэпын мылъку зыри къэмыгъэнауэ ишын, гъэпщкIун хуейуэ унафэ ящI. Ар яхузэфIэмыкIмэ, сэбэп мыхъужыну зэтекъутэн хуейуэ арат. Колхоз Iэщыр унагъуэхэм трагуашэ. Сабийхэр дызыщышынэ «извещенэ» тхылъымпIэ кIапэм имыгъэгуIа унагъуэ щIагъуэ хьэблэм дэсыжтэкъым. Си нанэ тхьэмыщкIэр гъыринэу, тхьэусыхэрейуэ, адрейхэм къащымыщIа хуэзауэ зэи илъытэртэкъым, зишыIэрт, зиубыдырт. Зауэр псом я дежкIи зэрыгузэвэгъуэшхуэр къыгурыIуэрт. «Сыт мыгъуэм фыкъихуа мыбы нэс? Дывгъэунэхъуащ», — мызэ-мытIэу жиIэу зэхэсхар иджыри гум илъщ. Сабийм дежкIэ «фыкъихуа» псалъэм къикIри гурыIуэгъуэ дыдэу къыщIэкIынтэкъым: цIыхур дауэ зыщIыпIэ зэрыпхунур? ЯужькIэщ псори гурыIуэгъуэ щыхъуар… Владикавказ (Орджоникидзе) кIуэ гъуэгум дыпэжыжьэтэкъым. Абы машинэми лъэсми зыгуэр щыземыкIуэу зэи къэхъуртэкъым. Гъуэгум ирикIуэхэр бэлэрыгъынкIэ Iэмал иIэтэкъым: кхъухьлъатэхэр къащхьэщыхьэрти, бомбэ кърадзыхырт, пулеметкIэ къахэуэрт, лъахъшэ защIурэ къуажэ кIуэцIым щызекIуэхэм, зызыгъэпщкIуну хунэмысахэм къеуэрт. Ди унэм пэмыжыжьэу уэрам зэхэкIыпIитIым бомбэ къыщрадзыхат, кумбитI къриудари куут, бгъуэт. ХадэхэкI щIалъхьэну ящIа щIыунэу диIэр ди зыгъэпщкIупIэт, кхъухьлъатэ макъ зэрызэхэтхыу, гъуэлъыпIэ щIагъым сабийхэр дыщыщIэпщхьаи къэхъуащ… Партизан гупыр мэзым щIэст, Хъыу пэмыжыжьэу. Зы махуэ гуэрым абы шууэ кIуэжхэрт Хуцынэ Исуфрэ Щынахъуэ Къамботрэ. Къуажапщэм нэсахэу нэмыцэ кхъухьлъатэр къещам хуэдэу, бгым къыкъуэлъэтри, къахэуэу щIидзащ. ШууитIым псынщIэу зыкърадзыхри гъунэгъуу щыт пщIантIэм дэт гуэщым щIэлъэдащ. АрщхьэкIэ, пулеметышэ къытракIутэм щыщ Къамбот и щIыбым къытехуащ. — Сэ сыхьэзырщ, Исуф, — жиIэри зи лъабжьэр паха жыгыу къэукIуриящ икIи а уIэгъэм къелакъым. Ар Налшык и япэ комсомол секретарт, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, зи IэнатIэр тэмэму зезыхьэ адыгэ щIалэт. И къуэш нэхъыжь Кушыку жиIэжу зэхэсхат абы и кIуэдыкIар. Си анэ Мэрали яхыхьат а партизан гупым, фIыуэ къыгурыIуэрт партым, комсомолым хэтхэр а фашистхэм къазэремылынур. АрщхьэкIэ я зэхэтыкIэр игу ирихьакъым икIи къахэкIыжащ, ди дзэм я гъусэу дэкIын и мураду. Ауэ и адэ ЖэбрэIил идакъым: — Уи дэлъхуиплIыр зауэм щыIэщ, я щхьэ илъ пщIэркъым, къелыни-къемылыни, дэ жьы дыхъуащ, быным ящыщу зы дигъусэн хуейщ, — жиIэри. Къыдэнащ. ЯужькIэ абы къикIыну бэлыхьыр зыми игу къэкIыххэртэкъым: нэмыцэхэр ди щIыпIэм къыщихьам щыгъуэ зи унэ исыжам Совет властым дзыхь хуищIыжыртэкъым… Нэмыцэхэр къэсри, езым я унафэм псори щIагъэуващ: къуажэм дэсыр къыхатхыкIащ, къэп, ахъшэ къыхахащ. БомбэкIэ зэхакъута гъуэгум цIыхур дахури мывэкIэщхъ трагъэкIутащ. А лэжьыгъэм пэрытахэм си анэри яхэтати, иужькIэ ягъэкъуэншэжащ, езым фIэфIу нэмыцэм яхуэлэжьауэ жаIэри. Нэмыцэхэри, румынхэри, венгрхэри блэкIырт, фронтым кIуэхэу. Ди къуажэм къыщыщыувыIи къэхъурт. Абыхэм къахэкIырт унэм къыщIыхьэу ерыскъы щIэлъыр упщIи-уси щымыIэу щыщIах. Ди хадэм къыдачыжауэ дум илъ нартыхур кърагъэури шым ирагъэшхат, хьэжыгъи нартыхуи димыIэу дыкъыщIанэри. Гъавэ щIыхуэ хэт къеIыпхын? Унагъуэр псэууэ нэху дыкъемыкIынри хэлъщ. Къэпщэхунущи, ахъшэ лъэпкъ диIэкъым. Мазэ лэжьапщIэу хуагъэзар гъэмахуэм къратауэ арат, иджы щIымахуэт. Си анэм мурад ищIащ Щхьэлыкъуэ къыщина нартыхум щыщ кIуэуэ къишэжыну. Си мылъхуадэр абы щыщт, си анэр егъэджакIуэу щылэжьат. Илъэсищ иримыкъу и пэкIэ партым и Налшык райкомым щылэжьэн щIидзат. Фронтыр къыщыблагъэм, колхоз губгъуэм илъ гъавэр къуажэдэсхэм трагуашэри кърахьэлIэжат. Гъавэншэу дыкъэмынамэ, абы и Iуэху зэрихуэнутэкъым. Зы щIыпIэ укIуэн щхьэкIэ, комендатурэм и тхылъ уиIэн хуейт. Дадэр кIуэри ар къыIихащ. ШыIэжьэм шитIыр щIищIэри иутIыпщащ си анэмрэ ди гъунэгъу щIалэ цIыкIу Умар Мышэрэ: абы илъэс 12 и ныбжьт, шы щIищIэну апхуэдэ зэфIэкI иIэтэкъым. МахуитIкIэ къэтахэщ. А зэманым ирихьэлIэу зауэ щекIуэкI щIыпIэм (Орджоникидзе лъэныкъуэкIэ) кIуэхэу сэлэт блэкIхэм хьэблэм зыкъыдагуашэри ди пэш лей дызыщIэмысым зыщыплI къыщIэтIысхьащ. Нэмыцэ псори фашисту — лIыукIыу, зэрыпхъуакIуэу, езым я лъэпкъыр адрей псом нэхърэ яфIэнэхъыфIу щыттэкъым. Абы и щапхъэу зы сигу къокIыж. ДызыщIэс пэшым и бжэм зыгуэр къытеуIащ. Дадэм бжэр Iуихри, шейнык иIыгъыу зы сэлэт къыщIыхьащ (пэш лейм хьэку щIэттэкъым). IэпэтэрмэшкIэ абы дадэм къыгуригъэIуащ псы къигъэвэну зэрыхуейр. Шейныкыр хьэкум тригъэувэри щIэкIыжащ, куэд мыщIэуи къигъэзэжащ. Зы фошыгъу кIанэ къысхуишиящ, къеIысхын сымыдэу дадэм и къуагъым сыкъуэувати, абы къритащ. Сэлэтыр и бгъэгу жыпым иIэбэри зы сурэт кърихащ: ар и унагъуэм и сурэтт. И Iэпэр трилъхьэри абы ит хъыджэбз цIыкIур сэри сигъэлъэгъуат: пщащэ цIыкIум срещхьт си сырыхуагъкIэ, си ныбжькIэ. Езы сэлэтым и нэпсыр къызэпижыхьауэ зэ сэ, зэ сурэтым къыдэплъырт. Пщэдджыжьым жьыуэ щыдэкIыжым, къыщIыхьэри си дадэм сыхьэт цIыкIу къритащ: и Iэр и бгъэм трилъхьэри къелъэIуу къыхуишият. ЯужькIэ дадэрэ нанэрэ абы и гугъу ящIыжащ, яфIэгуэныхь хъуауэ. Дауи, зауэм зыкIи хуэмейуэ ди деж къахуахэм ящыщт ар. Зауэ нэужьым си анэр зэхэзехуэ щащIам къыкIэралъхьахэм ящыщт Щхьэлыкъуэ «нэмыцэ офицерым зэришари, сыхьэт къызэрыритари». Ауэ ар нэгъуэщI гукъэкIыжщ… Ди къуажэдэсхэм насып яIэти, старостэу хаха Жэмыкуэ Хьэжмырзэ псори къихъумащ. Зы цIыху дэкIуэдыкIакъым бзэгу яхьауи, нэгъуэщI мыхъумыщIэ гуэр щхьэкIи. ЦIыхухэм ящIэрт Хьэжмырзэрэ и адэ ПIатIэрэ адыгэ нэсу, я псалъэри я IуэхущIафэри зэтехуэу, гууз-лыуз яхэлъу, муслъымэн нэсу зэрыщытыр. ИкIи псори зэрыщыгугъауэ къыщIэкIащ — яхъумащ къуажэр… ЗэрыпхъуакIуэхэм дагъэтхъэну къызэрымыкIуар гурыIуэгъуэт. Абыхэм ираша мылъкур, зытракъутахэр хэщIыныгъэшхуэт ди республикэм дежкIэ. Яужь уитмэ, мылъкур зэбгъэпэщыжыфынут, ауэ зауэ бзаджэм цIыхуу хэкIуэдар дэнэ къипхыжынт? Абыхэм я анэхэр, щхьэгъусэхэр, шыпхъухэр, бынхэр мащIэрэ япэплъа? Я гугъэр хамыхыжу я гъащIэр ирахьэкIащ. А зэман хьэлъэм сабийуэ щытахэращ иджы адэшхуэ-анэшхуэ ныбжьым итхэр. Насып яIэмэ, къащIэува щIэблэм псори зэрыщытар тэмэму къыгурагъэIуэнщ. ЩIэблэр щIэныгъэншэ мыхъуу, лъэпкъым и тхыдэр ящIэу, нэхъыжьыр ялъытэу, я IэщIагъэм тэмэму ирилажьэу, лъэпкъ зэхэгъэж ямыщIу, ныбжьэгъу пэжхэу, дунейр ягъэдахэу, узыншагъэ быдэ яIэу бэрэ Тхьэм игъэпсэу. Дэ, «зауэм и сабий»-кIэ зэджэхэм, ди къалэн нэхъыщхьэу солъытэ ТекIуэныгъэр илъэс 70 щрикъум (2015 гъэм) ирихьэлIэу ди анэшхуэхэм, анэхэм фэеплъ къекIу яхуэгъэувыныр. Къэралым ищIэнум дыпэмыплъэу, щIалэгъуалэр ди гъусэу, тхузэфIэкIын хуейщ а Iуэхур. Адыгэм ауэ жиIэркъым: «Удын зэхэдзэ нэхърэ, Iыхьэ зэхэдзэ». КIЭФО Сталинэт.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24574.txt" }
УкъыщеджэкIэ, гупсысэр мэлажьэ Дунейпсо литературэм и хъугъуэфIыгъуэхэр «Гёте сыкъыщеджэкIэ, си гупсысэхэм жыджэру лажьэу щIадзэ», — итхыгъащ Толстой Лев 1863 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м. Урыс тхакIуэшхуэм а псалъэхэмкIэ къиIуэтащ Гёте и тхыгъэхэм еджэ дэтхэнэ зыми и гупсысэр. Нэмыцэ усакIуэ, гупсысакIуэ, къэхутакIуэ Гёте Иоганн Вольфганг 1749 гъэм шыщхьэIум и 28-м къалъхуащ. Германием и узэщIакIуэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зым игъэтIылъащ «нэмыцэ литературэм и лъэхъэнэщIэ» жыхуаIэм и лъабжьэр. Гёте и адэм щIэныгъэфI иIэт, пащтыхьым и чэнджэщэгъуу лажьэрт. Абы и къуэр Лейпциг (1765 — 1768 гъэхэм), Страсбург (1770 — 1771) юрист, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми, абыхэм медицинэри хыхьэу, щыхуригъэджащ. Гёте Страсбург Гердер Иоганн щызригъэцIыхури, «Борэнрэ тегуплIэныгъэрэ» зэщIэхъееныгъэм хэтхэм ящыщ зы хъуащ. Август Карл герцогым ирегъэблагъэри, ар 1775 гъэм Веймар макIуэ. ЦIыхухэр къызэрыхуэпсалъэм щхьэкIи къимыгъанэу, Гёте щхьэгъусэ ещI удз гъэгъа мастерскойм и лэжьакIуэ Вульпиус Кристианэ. Франджы революцэ иным Гёте зэпIэзэрыту хущытащ, ауэ 1792 гъэм Вальмэ деж щекIуэкIа зауэм иужькIэ телъыджэу къиIуэтащ Франджым и революцэдзэхэм къахьа текIуэныгъэм дунейпсо тхыдэм дежкIэ иIа мыхьэнэшхуэр: «А махуэхэм абдеж къыщыщIидзащ дунейпсо тхыдэм и лъэхъэнэщIэм». Гёте и дежкIэ щхьэпэ хъуащ 1794 гъэм Шиллер къызэрицIыхуар. А зэманым Гёте и унафэщIт Шиллер 1791 гъэм Веймар къыщызэригъэпэща театрым. Гёте нэхъ пасэу (1767 — 1769) итха усэхэм анакреонтие лирикэ жыхуаIэм и хабзэхэр нэхъ я тегъэщIапIэт. УсакIуэм и япэ тхылъыр 1769 гъэм къыдигъэкIащ. Гёте и творчествэм и лъэхъэнэщIэм 1770 гъэм къыщыщIедзэ. «Борэнрэ тегуплIэныгъэрэ» зэщIэхъееныгъэм щыхэта зэманым абы итхахэр нэмыцэ усыгъэм и фIыпIэу ябж. Гёте и лирикэ лIыхъужьымрэ щIыуэпсымрэ зыуэ зэхэшыпсыхьарэ зэдэхъуу зэдогъуэгурыкIуэ. УсакIуэр мифологиемкIи мэIэбэри, и лIыхъужьым и псэм мыарэзыныгъэ щыукъубейхэр къытхуегъэнаIуэ. Апхуэдэ тхыгъэхэм я щапхъэхэщ, псалъэм папщIэ, усакIуэм и кIэм нимыгъэса драмэм хэт Прометей и монологыр (1773), «Гец фон Берлихинген» тхыдэ драмэу XVI лIэщIыгъуэм щыIа МэкъумэшыщIэ зауэм и пэ къихуэу екIуэкIа Iуэхугъуэхэмрэ лъахэ зэкъуаудам пщыхэм щызэрахьа щхьэзыфIэфIагъымрэ уигу къэзыгъэкIыж Iуэхугъуэхэр къыщыгъэлъэгъуар (1773). письмохэмкIэ зэхэлъхьа сентиментальнэ роман ухуэкIэм тету 1774 гъэм итха «Вертер ныбжьыщIэм телъа бэлыхьхэр» романым Гёте и лIыхъужьым и псэм игъэвхэм нэIуасэ дазэрыщыхуищIым къыдэкIуэу, нэмыцэ псэукIэм и пэжыпIэр къэзыгъэнаIуэ сурэти ди пащхьэм кърелъхьэ. Веймар Iэпхъуэным и пэ къихуэу елэжьын зыщIидза «Эгмонт» (1788) драмэм и гупсысэ нэхъыщхьэхэри «Борэнрэ тегуплIэныгъэрэ» зэщIэхъееныгъэм хэтахэр зыщIэкъуари зэтохуэ. Ар гъэпщылIакIуэхэмрэ абыхэм зыщыпэщIасэкIэ дагуэ цIыхубэмрэ яку дэлъ зэныкъуэкъурщ. Драмэр щхьэхуитыныгъэм щIэкъу бэнэныгъэм ухуезыджэ гупсысэкIэ еух. 1776 — 1785 гъэхэр Гёте и творчествэм нэхъри зыщиужьа икIи зэхъуэкIыныгъэхэр щигъуэта лъэхъэнэщ. Уи закъуэу зыкъэпIэткIэ мыхьэнэшхуэ къызэримыкIыр къыгурыIуэри, ар хуэкIуащ цIыхухэр зэкъуэувэн зэрыхуей гупсысэм: «ЦIыхум и гъунапкъэхэр» (1778 — 1781); «Ильменау» (1783). Ауэ, гуманизмэм къызыхуриджэ лIыхъужьыгъэм хуэпэжу, Гёте жеIэ цIыхум зэфIэкI ин дыдэ къызэрылъыкъуэкIыфынур («Алыхьым къигъэщIахэр» (1782). Аращ абы и Iуэху еплъыкIэхэм яхэлъ зэпэщIэуэныгъэхэр нэхъ наIуэу къэзыгъэлъагъуэри. Гёте и IэдакъэщIэкI нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ «Фауст» трагедиер. Абы и япэ Iыхьэр усакIуэм 1808 гъэм итхащ, етIуанэр — 1825 — 1831 гъэхэм. Мы трагедием къызэщIикъуэжащ абы и пэкIэ щыIа европей узэщIакIуэ гупсысэм и зыужьыкIар. А гупсысэхэм XVIII лIэщIыгъуэм яIэну щытыкIэм и гъунэр изылъа, апхуэдэ щIыкIэкIи XIX лIэщIыгъуэм къыпэщылъхэм дахуэзышэ тхыгъэшхуэ хъуащ мыр. Трагедием и сюжетыр щызэхигъэувэм, Гёте къигъэсэбэпащ Фауст теухуа цIыхубэ тхылъыр (1587), апхуэдэуи гуащэ драмэр. Фауст и образымкIэ усакIуэм къытхуеIуатэ цIыхум и зэфIэкIыр зэрыгъунапкъэншэр и фIэщ зэрыхъур. Гуапагъэмрэ залымыгъэмрэ игъащIэ лъандэрэ яку дэлъ зэныкъуэкъуныгъэр Iуихыну хущIокъу Гёте. Мефистофель и образым хэлъ Iейхэр Фауст къыхуосэбэп пэжыгъэм ухуэзышэ гъуэгур къэгъуэтынымкIэ. Гретхен и гъащIэмрэ къекIуэкIыкIамри Фауст и къэлъыхъуэныгъэхэм щIыпIэшхуэ щаубыд. Фауст хэтлъагъуэ гуапагъэхэр щIигъэбыдэн мурадкIэ, тхакIуэм пасэрей тхыдэми зыхуегъазэ. Фаустрэ Еленэрэ я нэчыхьыр лъэхъэнитIым я зэпыщIэныгъэм и нагъыщэу плъытэми, ар нэкъыфIэщI къудейуэ аращ — Еленэ мэкIуэдыж, я къуэри хокIуадэ. «ГъащIэри щхьэхуитыныгъэри зыхуэфащэр а тIуми махуэ къэс щIэзэуфырщ!» — аращ Гёте и трагедием и гупсысэр зыхуэкIуэжыр. Гёте и творчествэр Урысейм куэд щIауэ щадж. Нэхъ пасэм абы и тхыгъэхэр зэрадзэкIащ Жуковский Василий, Тютчев Федор, Аксаков Константин, Огарев Николай, Лермонтов Михаил, Фет Афанасий сымэ. «Фауст»-м и япэ Iыхьэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ лIэужьыгъуэ 23-рэ щыIэщ. Псом япэ ар къызэхъулIар Губерщ, 1838 гъэм. НэхъыфI дыдэ хъуауэ ялъытэр Ходорковскэмрэ Пастернакрэ зэрадзэкIахэрщ. Гёте 1832 гъэм гъатхэпэм и 22-м Веймар щылIащ. Гейне Генрих и псалъэхэмкIэ жыпIэмэ, «Гёте лIа нэужь нэмыцэ литературэм и «художествэ лъэхъэнэр» иухащ». Нобэ фи пащхьэм итлъхьэ усэхэр абы зэман зэмылIэужьыгъуэхэм итхахэм къахэтхащ. Уэрэзей Афлик, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ. Сэлам щызэтхыжым КъыпхуезгъэIуэтэнщ си плъэкIэ щэхум Си Iупэхэм къыбжамыIэфыр нахуэу. Зыкъэслъытэжми сылъэщу! — Сэламехыжыр гугъущ, сыпэмылъэщу. Къэнэщхъеинущ а напIэзыпIэм Си лъагъуныгъэм и шэсыпIэр: Щабэу, гуапэу къызэIусэ уи Iэпэр, МафIэ жьэражьэу къызэбауэ Iупэр. ЩыIащ зэман уи Iупэ IэфIым Сигу лъащIэм щызыхищIэу мафIэ! Уэс щIагъым къыщIэжа епэру ГуакIуащэт етшэжьам уэршэрыр. Хэзухуэнэжыркъым уи щхьэцым удз гъэгъа, Къыпхуэсхьыжыркъым япэм хуэдэу сэтэней. Гъатхэ пасэу уэсэпскIэ къыттегъам ДиукIащ, Францискэ, и щIыIэ уейм. ГъуэрыгъуапщкIуэ Мэз Iувым пхырыж псыежэхым Сыхэлъщ, толъкъуным IэплIэр хузэIусхыу. ЗыкъызешэкIри гуапэу зэрылъэлъу, АуаныщIу Iуожыж сыкIэлъыплъу. Ар щIопхъуэжри, и IэплIэр къиущIыу, ЕтIуанэ толъкъуныр къысхуопIащIэ. ЗыкъагъэIэгъуэурэ гъуэрыгъуэу, Насыпым и курыхыр сагъэлъагъур. Ауэ си нэгум телъыджащэу илъ нэщхъейм КъысфIощI нэхъ IэфI темыту мы дунейм. ФIыуэ слъагъум и гур къысщIэмыгъуу Зэрежьэжам иджыри сыхуощыгъуэ. НапIэIэтыгъуэ, къэшэж дэрэжэгъуэр, Къысхуэхьыж ар толъкъун джэгум щIыгъуу. ЕтIуанэ толъкъунми IэплIэ къызешэкIыр, Япэм нэхърэ зыкIи мынэхъыкIэу. 1768 Зэхуэзэгъуэмрэ зэбгъэдэкIыжыгъуэмрэ Псэм мафIэ къыщIэнар хуэхьыжкъым си гум, ПсынщIэу зызодзэри уанэгум, Губгъуэ Iэхуитлъэхуитым солъадэ, КъухьэпIэ пшэплъыр уафэ лъащIэм къыщолыдыр. Жэщ къэблэгъари дыжьыныфэу Телъауэ къыр дзакIэхэм уфафэу, Иджы хъар пIащIэу губгъуэм тегъуэлъхьакIэщ. Жыгеижьри, жэщ Iувыр фIэлъу щхьэкIэм, Мэзым хоплъэ, дэ тIум къытпэплъэу. Зыщиудыгъуауэ къуакIэбгыкIэм, мэзым, Жэщым и нэ фIыцIищэр къыттоплъызэ. Нэщхъей IэфIкIэ уэгур игъэнщIу, Пшэ къуацэхэм къахоплъ мазэщIэр. Жьы хуэмым, дамэхэр игъэIущащэу, Щхъыщхъ щэху шынагъуэ хегъэIукIыр жэщым. КIыфIыр ещхьми иныжь шынагъуэм, Гум къришырт уэрэд дэрэжэгъуэ, Шыри щIэкIуэрыкIырт нэшхуэгушхуэу. Псэр зыгъэхуабэ мафIэ гуащIэу КъыщикъуэлъыкIырт си бгъэм гъащIэр! Уи плъэкIэр, и мафIэм сыхисхьэу, Си хъуэпсапIэхэм къыхосыхьыр. Уэрат зыхуэпабгъэр псэм и хъуаскIэр, Ухэлъу и бэуэгъуэ къэскIэ. Мис иджы, си гъуэгуанэр ноблагъэ, Уэри гъатхэу усхузэщIогъагъэ. УсщIыгъущ аргуэру! Сэ усщIыгъущ! Алыхь лъапIэ! Сэ сыткIэ къэзлэжьат жэнэтым и IэфIыпIэр?! Ауэ! – нэхущым къызэрищIу пшэкIэплъыр, СыкIэлъыплъу хошыпсыхьыж уи теплъэр. Уи бам сыт хуэдэу сыкъызэщIигъаплъэрэт, Сытым хуэдэу нэщхъейуэ укъызэплърэт! Сыкъотэдж, си псэ зэпытхъым ныкъуэ-ныкъуэу Къыхэнэжари уэ зызакъуэрщ… Сыту насыпышхуэ лъагъуныгъэр! Уи лъагъуныгъэм насыпкIэ сызэщIебгъэ! Илъэсхэр И илъэсхэм щIалэгъуэм Я хьэлхэр гуапэщ, къуату дэрэжэгъуэ, Ахэр зи ныбжьэгъум, шынагъуэ имыщIэу, Таурыхъым хуэдэу ирехьэкIыр гъащIэр. Илъэсхэр макIуэ, я хьэлхэм захъуэжрэ, Зиусхьэнхэу къызэIуахмэ я къавэбжэр, Зы гущIэгъу гуэри ящумыгъуэтыжу, ЩIыхуэу къуата псори птрахыжыр. 1814 Псоми, дэтхэнэ зыми хуэгъэзауэ Уэри цIыхуу укъыщигъэщIакIэ, ЗэплъыжыIуэ нэхъ набдзэгубдзаплъэу: Псоми уащхьэщымыкIми лъагагъкIэ, Уи инагъыр зыкIи мынэхъыкIэ. Бгъэвами бэлыхьхэр мымащIэу, Насыпри зищIысыр фIыуэ уощIэ…. Аращи, си къуэш, хыумыхыж уи гугъэр, Иджыри къухьэжакIэкъым ди дыгъэр. Прометей Зевс, плъэкIынущ пшэ фIыцIэ хьэлъэжьхэмкIэ Мы дуней псор зэщIэбуфэну, Е банэжьхэр къыпыбуду удзыжь щхьэкIэм, ЩIалэжь цIыкIу щхьэпсу узэраныну, Ятебгъэпщахэурэ уи губжьыр, Къыхэптхъыфынущ жыгми къырми я лъабжьэр, Си щIыналъэрщ узыпэмылъэщынур, Пхуэкъутэнукъым абы тумыщIыхьа си унэр. Къыпхуемыгъащтэу щытми зэи уи гум, ПхуэгъэукIыфIынукъым и мафIэр си жьэгум. Фэ, тхьэхэм, нэхърэ нэхъ мыхьэнэншэ Дыгъэм и щIагъым сщIэркъым къыщыушу, Зыкъыфхуагъазэурэ тхьэлъэIукIэ, ЦIыху цIыкIум къурмэн щыфхуаукIкIэ Я мафIэ жьэгум къыдих Iугъуэрщ Зэрыпсэур тепщэныгъэ зыщIэвгъэщIагъуэр. ЖыIэзыфIэщу делэ Iэджэ, ТхьэмыщкIэу къытехуахэр ныджэм, Зи дзыхьыр псоми езыгъэз сабий Темытыгъатэмэ дунейм, ЩымыIэжыххэу фхуэдэу икIэ, ФыдыхьэжакIэт хьэрэкъуакIэ. СыщIалэжь цIыкIуу, си делэгъуэу, Куэд къимытIасэу, зэмыпцIауэ щхьэр, Тезубыдауэ дыгъэм си нэ вагъуэр, Си фIэщ дыдэу сыщелъэIукIэ тхьэм, Си гугъэт нэ, тхьэкIумэ иIэу уафэм, КъедэIуэфыну хуэзгъэш тхьэусыхафэм, ИIэу гу, сэ сэщхьу гущIэгъу хэлъу, ЕдэIуэфу тхьэмыщкIэм я псалъэм, СытригъакIуэу залымхэм я залымыгъэм, КъыздэIэпыкъуу къысхилъхьэну лIыгъэ. Сакъезыгъэлар хэт пщылIыпIэм, иныжьхэм, Уэракъэ, зи гум мафIэ лыгъэр Мыужьыхыжу щыжьэражьэ? Уэракъэ хуэзыщIари гуапэу фIыщIэ Бгыщхьэм щыжеям, къэуш имыщIэу! ПхуэсщIынуи щIыхь? Ар сытым щхьэкIэ? Щыгъуэ зиIэм хуэбгъэудэIуа зэгуэрым и псэр, ГууэщIу гъым хуэплъэщIыфа и нэпсыр? Зэманырщ, хьэзабырщ мыхьыр сагъэхьу, ЛIы къысхащIыкIыну сызыпсыхьыр. КъозгъэхъулIакъыми уи гугъапIэр, Уи Iэр техуакъыми уи хъуэпсапIэм, Хэт ищIэрэ, ущIэхъуэпсынкIи хъунщ ГущыкI хуэсщIыжауэ гъащIэм, СыщIэпхъуэжу силъэдэжын къум нэщIым. Хьэуэ! Сымис сэ, мис си гъащIэр! Сэ ноби цIыхухэр къызогъэщIыр Сэ сэщхьыжу, ГуфIэфу, Щыгъуэу нэпс щIагъэжу, Бэлыхьри дэрэжэгъуэри зыхащIэу, Сэ сэщхьу натIэм къритхар къагъащIэу! 1774 Бгъэмрэ тхьэрыкъуэмрэ Бгъэр, телъэтыкIри къырыщхьэм, Шхын къилъыхъуэну зиIэта къудейуэ, ЩакIуэм и шабзэшэ къылъэщIыхьэм Къреудыхыр, и дамэр къутауэ. Чыцэм хэхуэри бгъэ уIэгъэр, Хэлъащ жэщищ- махуищыр зи кIыхьагъым, КъыхигъэзыхьыхукIэ узым, ЩIыгур лъэбжьанэкIэ къигъазэу. ИтIанэ, псоми я хущхъуэгъуэ щIыуэпсыр КъоIэзэри уэсэпскIэ, Хуэм-хуэму къыхохьэжыр бгъэжьым и псэр. ЩэкIуэныр иджыри илъти и гум, Къуршыбгъэр лъэтэжыну йоIэ уэгум, АрщхьэкIэ дамэр хуэмышэщIу, Аргуэру щIылъэм къытохуэж гууэщIу. ЩIэщхъу къыщыщIам нэр игъэпсыфу, Зигъэпсэхуну IуотIысхьэ псы Iуфэм. Нэр хуэму зэтрехри, бгъэр доплъей Абдеж дыдэм щыдэкIей жыгейм. Къелъагъу жыг щхьэкIэм къызэпхыплъу Уафэм и лъащIэм дыгъэ щызэщIэплъэр, Абы уэру кърикIут бзиипсым Нэрынэу холыдыкIыр дыгъэ нэпсыр. Пэмыжыжьэу я зэхуакухэм жыг щхьэкIэхэм ТхьэрыкъуитI къыщалъэтыхь, дамэр щIаупскIэу. Хуэму къыщотIысэххэри псы Iуфэм, МыпIащIэу къыщакIухь пшахъуэ дыщафэм. ИгъэкIэрахъуэурэ и нащхъуэр, Тхьэрыкъуэм къыздиплъыхьым псыхъуэр, Гу лъетэ и щхьэр къыфIэхуауэ Щыс бгъэжьым, жагъуэу зиущэхуауэ. Тхьэрыкъуэр, дамэр игъэсысу, Йодэмэпкъауэри и гъусэм, Ирегъэлъагъур и гур щIэгъуу, Бгъэжьыр нэщхъейуэ зэрыщыгъуэр. Тхьэрыкъуэ пщэхум къуршыбгъэм зыхуегъазэ: «Ныбжьэгъу, щхьэ унэщхъейрэ апхуэдизу, Хуиту зыплъыхьыт, дунеймкIэ зыгъази! Дызыхуэныкъуэр дэ зы мащIэщ Ди насыпыр ирикъуным папщIэ. Ппэгъунэгъу дыдэуэ мыбдей, Сыт къыщыплъагъур мы дунейм? ИхъуреягъкIэ жыгхэр щокIыр Жьауэ къыпхуащIурэ я щхьэкIэр. Дыгъэ жьэражьэм ущахъумэу, Псы ешкIурэхым иплъэу гъуджэу, ПшэкIэплъыр къищIыркъэ телъыджэу? МэкъупIэ щхъуантIэ алэрыбгъум КъыщыбокIухьыр зыбгъэщIагъуэу, Фоупсу къоIэфIэкIыр уи псэм Удз тхьэмпэхэм ятелъ уэсэпсыр. Щогъуэт мыбдеж ипфыни пшхыни. Сытым щыгъуи уиIэныр гугъапIэ Насыпу щыIэм я нэхъ лъапIэщ! Егъэлея дыщIэмыхъуэпсу зы, Дытехъуапхъэщ диIэм арэзы». Абдеж, зыхуегъазэри Iущыгъэм, Хэгупсысыхьурэ, жеIэр къуршыбгъэм: «ГъащIэ насыпым ухуищIауэ пщалъэ, Тхьэрыкъуэр уи акъылкIэ къызопсалъэ». Зызгъэзэхуэжу СогъэщIэгъуэж сыкъыщеджэжкIэ Зэман блэкIахэм суцIырхъахэм Унэр зыкIзыщхьэу къыщыслъыхъуэжкIэ ТекIыжа тхылъымпIэ кхъахэр. Си гъащIэ мащIэм и гъуэгуанэм Си дзыхь езгъэзу си гъусар, ЗэхищIыкIауэ си гукъанэр Тхылъеджэм деж нэзыхьэсар… Къэгъанэ уи пщIэншэрыпсалъэр, Требгъэдзэну ет уи тхылъыр: ГъащIэм къигъэув упщIэ нэрынэм Жэуап етыныр уэращ зи къалэныр! Си анэм деж КъыпхуэмыкIуами Iэджэ щIауэ Уи къуэм и сэлам е и тхыгъэ, Уимыгугъэ щIалэм фIэжэщIауэ Анэм хуиIэ лъагъуныгъэр. А лъагъуныгъэр ещхьщ къыр абрагъуэу Зи хъурзэ хьэлъэр хэлъым тенджызым, Къытезэрыгуэми толъкъунхэр гъуагъуэу, Яхуэмыгъэхъейуэ зы бжьизи. Загъэзалыму, зэми къэдэхащIэу, Толъкъунхэр къокIапсэлъэрышэ. Къыр лъэ быдэжьыр яхухэмыгъащIэу Толъкъун губжьахэр пщIэншэу къылърешэ. Ар и быдагъщ си анэ лъагъуныгъэм, Зыми лъэмыкIыу сигу иригъэхуну. Си гъащIэ мащIэм къуэмыхьэж и дыгъэу, Аращ си гъуэгур схуэзыгъэнэхунур. Зэм бэлыхьхэм къыхахуу тхъурымбэ, ЗыщигъафIэу зэм насып бзиибэм, Уафэ щIагъым щIэлъщ си лъагъуныгъэр Толъкъунхэм Iуамыгъаплъэу хуиту дыгъэм. Ауэ жэщым хэлыдыкIа вагъуэу, Уи нэ къабзитIыр наIуэу къызолъагъури, Уи деж нахьэсыр, нызыпхахри пшэм, Уи къуэм къыпхуиIэ лъагъуныгъэ щIэншэр. 1767 УэрэджыIакIуэ «БжэщхьэIум къыщрагъэкIыр сыт пшыналъэ? Сыт макъамэ къыщеуэр бжэIупэм? Хэт уэрэдыр къэзыгъэIур ину Къыбгъэдыхьауэ гъунэгъуу си унэм!..» — ИщIащи унафэ пащтыхьым, ЩIопхъуэ бейгуэлыр и щхьэр щIихьэу. Бейгуэлыр къыщысыжым, жеIэр пащтыхьым: «Уэрэд жызыIэ лIыжьыр къыщIэвгъэхьэ!» «Шыкурым, зауэлIхэ, пщIэ фхузощI, Фэри, цIыхубзхэ, Тхьэм фиузэщI!.. Хэт къэзыбжыфыр вагъуэу исыр уэгум? Зэреджэр ахэм хэт ириубыдэфрэ и гум? ПлъэкIэм уриджэми жэнэтым и IэфIыпIэм, Зэтеплъхьэм напIэр, мэкIуэдыж пщIыхьэпIэр!» Iэпэр иригъажэу шыкIэпшынэм, УэрэджыIакIуэ лIыжьым щIеукъуанцIэ и нэр. Нэхъ лIыхъухэм я нэр маблэ мафIэу, ЦIыхубзхэм напIэр ирахьэх щIыкIафIэу. Пшыналъэм итхьэкъуа пащтыхьым Унафэ ещIри дыщэ пщэхъу къыхуахьыр. Уэрэд дахащэм пэкIуэ фIыщIэу Абы пщэхъур лIыжьым тыгъэ хуещIыр Сыхуейкъым сэ уи дыщэ пщэхъум, Къэзлэжьыркъым апхуэдэ саугъэт НэхъыфIщ ар ети зауэлI лIыхъуу ЗэуапIэ губгъуэм хахуэу итым. Ет саугъэтыр IуэхутхьэбзащIэу Бейгуэл уи Iуфэр къэзыжыхьым, АбыкIэ нэхъри хьэлъэ щыпщIу Жэуаплыныгъэу гъащIэм щихьыр!.. Уэрэдыр сэ жызоIэ тхьэ IэмыркIэ, Щхьэхуиту уэгум жэнэтбзу щыушэу, ЯгъэфIэжыну саугъэт гуэркIэ Аракъым пшынэм уэрэд къыщIришыр. Ауэ пхузиIэщ зы, щIэлъэIуу си пшыналъэр: Къысхуигъахъуэ изу дыщэ фалъэм, Гу ешам и бампIэр дригъэхуу, Сыхъэ защIэу къикъуэлъыкI санэхур! ЛIыжьым егъэщIейри дыщэ фалъэр Иреф санэхури,мыпхуэдэу жеIэр псалъэ: «Телъу берычэтыр Iэнэм, Тхьэм къыщыхуащ и нэфI мы унэм — Къехъуапсэу зылъэмыкIыр! Уэри, Алыхьым и гущIэгъукIэ, ЩIым ущопсэури тыншу, Адрейхэми абыкIэ ядэгуашэ!» 1783 ЩакIуэм и пщыхьэщхьэ уэрэд Фочыр сIыгъыу сокIуэ губгъуэм ситу, Си пшапэ гъуэгур схуигъэнэхуу Щхьэгум щыхуарзэу къысщхьэщыту Си нэгум щIэтщ уи сурэт тхьэхур. Зэгуэрым губгъуэм пхытша лъагъуэм Утету ущыдыхьэкIэ псыхъуэм, Уэ езым, къызжеIэт иумыхьэкIыу, Си ныбжь нэхъ мыхъуми уи гум къэкIрэ? Уи плъэкIэм зыщызыгъэпщкIуа ныбжьыр Елъэпэуэжами и насыпым, Уэ къыпщигъэпщкIужу и лъэужьыр, Къилъыхъуэжрэ насыпым и псыпэр? Сыногупсысмэ, си псэм хуохъу Iэзэгъуэ, Абы сщхьэщехыр щыблэм и шынагъуэр Мазэ изым сыхэплъэ и пшэкIухьым КъысфIэщIыжу уи нэм сыщIоплъыхьыр. 1776 * * * СщIэркъым къыздикIар мыбы сыкъэзыша си гъуэгур, ЩIым къыщыспсэуар къысхуэгъэкIыжкъым си гум. Мыбы накъыгъэм и махуэ дэрэжэгъуэм Щызэхуозэж зэныбжьэгъужьхэу Лъагъуныгъэр, ГуфIэгъуэр. А тIури зыуэ зэхэшыпсыхьыжырщ Гъынуи гуфIэнуи зыхулъэкIыжыр! * * * Зым яужь иту къокIуэ нэгъуэщI гуэр, Абы къыкIэлъокIуэж нэгъуэщI зыгуэри. ХэгъэщI уи гъуэгум, бгъэбыдауэ уи гур, ПхыкIыф цIыху уэрым я бэзэрым. КъыхэхуэнкIи хъунущ зыпIэжьэу, Удз гъэгъа къипчыну Тхьэ IэмыркIэ, Мыри зэгъащIэ — укIуэфынкъым жыжьэ, ЖьэрыIэзэ ухъуам пцIы упсынкIэ. * * * ПикIуэт, худэчых щхьэлъащIэм Зэрыкъуаншэр плъагъуми нахуэу, Дзажэналъэм къыхихыу къыщигъэщIым, Алыхь дыдэм ар хуэщIакъым захуэ. ЗэфIощIыкIыр къэбгъэшыну яужь уихьэм. Аращ, Iэдэм, къытхуэупсат абдеж Алыхьыр. Къэбгъэшынуи зэфIэпщIыкIынуи зыпумыщIэ, Аракъэ зэрыхъужыр езыр гъащIэр. * * * КIэнджэгущ зэрыщыту гъащIэр, Щахьэхуи къыщыпхьэхуи къыпхуэмыщIэу. Къыхуэнэжакъым куэд кIэнджэгум Лъэр нихусыным зыщIэхъуэпсым и гур. Ямыжагъуэу пцIы тIэкIуи яупсын, ЖызыIи щыIэщ делэу джэгур кIэн. КIэн джэгур къызоплъэкIри, къызоплъыр — КъэувыIэ, къыпумыщэ адэкIэ псалъэм. Зэрызэхэлъыр дауэ мы дунейр? Iуэхур къэсми ди щхьэм, ИпэкIэ дишэну къытлърехьэ, Ауэ дыщыуэу дыщыхуам щыхупIэм, Зы къэмыплъэну, къиIэту и напIэр. * * * КъызжоIэ: «Псори ихьыжащ зэманым: ЩIыуэпсым къытхуигъэнауэ хъуар щIэину, Гуми къинэжакъым лъагъуныгъэ, Уеблэм тфIэIэфIу щыта хьэргъэшыргъэр. Дуней Iэхуитлъэхуиту гъунапкъэншэм Зэрыщыджэгуар зэгуэрым уи псэр тыншу. ЩIыхьи дамыгъи дэрэжэгъуэ Къуамытыжыфрэ, хыумылъагъуэу Уи IэрыкI псоми зы гуфIэгъуэ. ЖэщIащ мы гъащIэм хуиIа гуащIэр. Сыт къэнэжар а псоми я пщIэу?» «Гупсысэр, Лъагъуныгъэр — уфIэмащIэ?» * * * Сытым щыгъуи фIыщ ущIыгъуныр Зи акъылым имыIэм гъунэ. Уи Iуэхур зэIыхьами хэкIыпIэншэу, Абы укъигъэнэнкъым жэуапыншэу. КъыпхуищIынщи гущIэгъу, къодэхащIэу, Ухишэжынщ аргуэру дуней гъащIэм. * * * Мы ди гъащIэм и унафэр зыIэщIэлъхэр Къытщретхъухэ е къытхурепсалъэ. Ахэр зыкIи уэим ямыщIу, УнэIутхэм ирахьэкIыр гъащIэр. Къыумылэжьауэ къыщошхыдэм, Дзэр зэтекъузи, зыгъэбыдэ. Е хуэмыфащэу къыпщытхъуми, ЗыдегъэкIу зиусхьэным зэрыхъуу. Зиусхьэнхэ, Алыхьым и пащхьэм Фи къалэну жэуапыр щывохьыр, Фыхьэзырщ фэри фхьыну бэлыхьыр, Абы щхьэкIэ гугъущэ фемыхьмэ. * * * Езым хуэдэ щIы хъурейм щызекIуэу ЖиIэфыну фыхуэза усакIуэ? Нэхъ уэрэдыфI нэгъуэщIым иусауэ Зиумысыжауэ флъэгъуа шыкIэпшынауэ? Апхуэдэ цIыхухэри захуэщ зыгуэркIэ: Ураудыхынщ пIэтам нэгъуэщIыр, Узыхуэупсахэм псэкIи гукIи, КIыфI къыпщащIыжынщ езым уи гъащIэр. Сахуэзахэщ сэ цIыху зэмыщхь Iэджэм: Къулыкъунши зи къулыкъукIэ лъаги, Хузэхэмыхуу Iейри фIыри пфIызэхиджэ Пэтми, зигъэIущрэ зигъэпагэу. ИпхъэнкIыжыну блэкIам и Iэужьыр, Къэзылъыхъуэ щыIэщ жыхапхъэщIи, Хуэдзэлашхэми гужьгъэжьыр жыхапхъэжьым, ПхъэнкIэфкъым жыхапхъэщIэр нэгъуэщIу. Зэщегъэхьэж гужьгъэжьым цIыхухэр, ХуещIыжыр зым адрейм гукъанэ. Я мурадхэр зэрызэтехуэр Къамылъагъужыфу я нэм.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24576.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Адыгэбзэр яджын щхьэкIэ Адыгей. Республикэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм Кичмай Ин, Хьэжыкъуэ жылагъуэхэм дэт адыгэбзэр щадж школхэм щIэс шапсыгъ сабийхэм тхылъ миным нэблагъэ хухихащ. Ахэр еджапIэ IуэхущIапIэхэм Iэригъэхьащ Адыгэ Республикэм и Къэрал Совет-Хасэм и депутат КIэрмыт Мухьдин. КIэрмытым зэрыжиIэмкIэ, Сочэ къалэм и еджапIэхэм папщIэ тхылъхэр, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ пособиехэр хухахыну лъэIукIэ защыхуигъазэм, щIэгъэкъуэн къыхуэхъуащ Адыгейм и премьер-министр КъумпIыл Муратрэ ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэмрэ. Жэрдэмыр къыдиIыгъащ Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ. Абы и тхылъхэм ящыщ пщIы бжыгъэхэр Шапсыгъым и школакIуэхэм тыгъэ яхуищIащ. Сабийхэм папщIэ Урысей Сабий фондым и Адыгэ республикэ къудамэм зауэ щекIуэкI Сирием къикIыжу адэжь хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я щIэблэм защIигъэкъуэн папщIэ хьэпшыпхэр зэхуехьэс. Фондым и унафэщI Гоголевэ Татьянэ зэрыжиIамкIэ, хьэпшыпхэр, псом хуэмыдэу щIымахуэ щыгъынхэр, зэхуахьэсу Банэхэс жылагъуэм ирагъэшэну я мурадщ. Фондыр яужь итщ къэзыгъэзэжахэм нэгъуэщI IуэхугъуэхэмкIи защIигъэкъуэну. ЩIыналъэм иджыкIэ Сирием къикIыжауэ адыгэ 366-рэ щопсэу, абыхэм ящыщу 80-м щIигъур сабийщ. ЛэжьапщIэ нэсыр Къэрэшей-Шэрджэс. Профсоюз IуэхущIапIэхэм я республикэ зэгухьэныгъэм щызэхалъхьэжащ 2012 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр, къапэщыт къалэныщIэхэр, гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэхэр яубзыхуащ. Профсоюз зэгухьэныгъэм и унафэщI Айбазовэ Раисэ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я журналистхэм я ехъулIэныгъэхэмкIэ, къэкIуэнум я мурадхэмкIэ ядэгуэшащ, илъэсыщIэм и пэ къихуэу Мэзкуу щекIуэкIа «ЛъэжьапщIэ нэсыр — экономикэ зыужьыныгъэм и лъабжьэщ» дунейпсо конференцым зэрыхэтам яхутепсэлъыхьащ. Республикэм и Профсоюз зэгухьэныгъэр 2012 гъэм илъэс 90 ирикъуащ. КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и унафэкIэ Къэрэшей-Шэрджэсым и профсоюз зэщIэхъееныгъэм и махуэр илъэс къэс бадзэуэгъуэм и 6-м ягъэлъэпIэнущ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24590.txt" }
Нобэ Урысей Федерацэм и Дзэ-хьэуа къарухэм ягъэлъапIэ уэгу зыхъумэжыныгъэмкIэ дзэхэм я махуэр Япэ урыс революцэм щыщIидза махуэщ. 1905 гъэм пащтыхьыдзэхэм Санкт- Петербург щызэтраукIауэ щытащ мамыр демонстрацэр (Лъыгъажэ тхьэмахуэ махуэу тхыдэм къыхэнащ). Мысырым щытепщэ шэрджэс мамлюкхэмрэ тыркудзэмрэ 1517 гъэм Каир пэмыжыжьэу зэзэуэн щыщIадзащ. КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ УнащIэ Розэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 10 — 13, жэщым 2 — 4 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24592.txt" }
ЦIыхум фIэкIыпIэ имыIэу зыхуейуэ къалъытэ шхыныгъуэхэр ирагъэфIакIуэ КъБР-м и Парламентым и Президиумым гъатхэ сессием хиубыдэу иригъэкIуэкIа япэ зэIущIэм Iуэхугъуэ щэщIым нэблагъэм щыхэплъащ. Депутатхэм унафэ къащтащ Парламентым и пленар зэIущIэр щIышылэм и 31-м егъэкIуэкIыным теухуауэ. ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ комитетым и унафэщI Жанатаев Сэлим зэIущIэм хэтахэм я пащхьэ кърилъхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхур щыпсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ерыскъыпхъэхэм я IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектыр. Мы документыр ягъэхьэзырын хуей щIэхъуар цIыхур псэун папщIэ фIэкIыпIэ имыIэу зыхуеину шхыныгъуэхэм ятеухуа законым и къарур 2012 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м зэриухарщ, апхуэдэу «Урысей Федерацэм щыпсэун папщIэ цIыхур нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьарщ. Республикэм щыпсэухэр нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ерыскъыпхъэхэм хиубыдэ лыр, бдзэжьейр, гъэшхэкIхэр, джэдыкIэр, хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ нэхъыбэ ящI. Абы и фIыгъэкIэ ди цIыхухэр зэрышхапхъэу къалъытэр узыншэу псэун папщIэ къагъэсэбэпыпхъэ шхынхэкIхэмкIэ мардэм нэхъ пэгъунэгъу мэхъу. Къэгъэлъэгъуапхъэщ цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейхэм я лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, хьэпшыпхэмрэ щыгъынхэмрэ нэхърэ ерыскъыпхъэхэм ахъшэ нэхъыбэ тегъэкIуэдапхъэу къызэралъытар. «Урысей Федерацэм и Бюджет кодексым и 50-нэ, 56-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» федеральнэ законым и проектым тепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финансхэмкIэ и комитетым и унафэщI Ахъуэхъу Къанщобий. Абы зэрыжиIамкIэ, мы документыр ягъэхьэзыращ Урысей Федерацэм и субъектхэм я бюджетхэм я хэхъуэ Iыхьэр нэхъыбэ ящIын папщIэ. Абы ипкъ иткIэ, 2014 гъэм щIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ этил спирту проценти 9-м щIигъу зыхэт фадэхэкIхэм (пивэм, жызумымрэ пхъэщхьэмыхьэмрэ къыхащIыкI шагъырхэм нэмыщI) тралъхьэ акцизхэр процент 40-м щегъэжьауэ процент 60-м нэсу нэхъыбэ ящI. Абы къыдэкIуэу, федеральнэ бюджетым а налог лIэужьыгъуэм щыщу къыIэрыхьэр процент 20-кIэ ягъэмащIэ. КъызэрабжамкIэ, мы документым къару игъуэта нэужь, къэралым и субъектхэм къаIэрыхьэ акцизхэр сом мелард 20-кIэ нэхъыбэ хъунущ. Депутатхэр хэплъащ УФ-м и адрей субъектхэм я парламентархэм законхэр къыдэгъэкIыным хуэгъэзауэ къагъэхьахэмрэ абыхэм федеральнэ законхэм я проектхэр къазэрыщыхъум теухуауэ къатхахэмрэ. Президиумым хэтхэм унафэ къащтащ законым тетынымкIэ, хабзэр хъумэнымкIэ, цIыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэхэмрэ къащхьэщыжынымкIэ куэд зэралэжьам папщIэ КъБР-м щыIэ МВД-м и гуп хэхам и командирым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Владислав, Урысейм Тезырхэр егъэпшынымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэу Никитин Николай, Шал Аслъэн сымэ КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр етыным теухуауэ. Урысмамбэт Бэллэ, КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24595.txt" }
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыщу КъБР-м и закъуэщ Берлин щекIуэкI «ЩхъуантIагъэм и тхьэмахуэ» выставкэм хэтыр Урысей Федерацэм и лIыкIуэхэм яхэту Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшгъэкIхэри ерыскъыпхъэ къыщIэзыгъэкIхэри щыIэщ «ЩхъуантIагъэм и тхьэмахуэ-2013» выставкэу Берлин щекIуэкIым. Урысейр иджы епщыкIущанэрэ Германием макIуэ, КъБР-р етхуанэрэ ирагъэблагъэ. Апхуэдэуи къыхэгъэщыпхъэщ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыщу зи продукцэ мыхьэнэшхуэ зиIэ дунейпсо зэхуэсышхуэм щызыгъэлъагъуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэу зэрыщытри. Берлин щекIуэкI «ЩхъуантIагъэм и тхьэмахуэм» щызэIущIащ Къанокъуэ Арсенрэ Лодиджиани Пьер-Паолэрэ. Гъэлъэгъуэныгъэр щекIуэкI зэманым къриубыдэу, КъБР-м и Iэтащхьэр епсэлъащ Италием щыщ инвесторхэм. А зэIущIэм кърикIуахэм и гугъу щащIым, лъэныкъуитIми къыхагъэщащ зэпсэлъэныгъэхэр сэбэп зыпылъу икIи купщIафIэу зэрыщытар. «Дэ проект гъэщIэгъуэн куэдым дыхэплъащ. Мэкъумэш IэнатIэм и гугъу пщIымэ, ахэр хадэхэкIхэр щагъэкIын хуабэщ, абыхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ щелэжьын завод зэмылIэужьыгъуэхэр ухуэным ехьэлIащ. Щхьэхуэу дыкъытеувыIащ балий Iэрысэхэр, мэракIуэхэр, мамкъутхэр щIы зэIухам щыгъэкIыным», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм журналистхэм интервью щаритым. Апхуэдэуи абы къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс-климат щытыкIэм щIыпIэм пхъэщхьэмыщхьэ, мэракIуэхэкI зэмылIэужьыгъуэхэр щыбгъэкIыну IэмалыфI къызэритыр. Республикэ унафэщIым мэкъумэш хозяйствэмкIэ министерствэм къалэн щищIащ я IэнатIэм къыхыхьа IэмалыщIэхэр, итальянцхэм ягурыIуауэ къыхурагъашэ оборудованэщIэхэр я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпыну. Зэпсэлъэныгъэм апхуэдэуи хэхауэ къыщытеувыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ IэщIагъэлIхэр Италием щегъэджэным. «ЦIыхубэ хозяйствэм и иужьрей ехъулIэныгъэхэр ди IэщIагъэлIхэм къагъэсэбэпыфын щхьэкIэ, программэ зыубгъуа, Iуэхум ухуэзыгъасэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр зэхэлъхьэн хуейщ», — къыхигъэщащ Къанокъуэ Арсен. Италие Республикэм щIыхь зиIэ и генеральнэ консулу Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округхэм щыIэ зиусхьэн Лодиджиани Пьерпаолэ жиIащ «Италиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэпыщIэныгъэхэр, шэч хэмылъу, фIы дыдэу къэплъытэ зэрыхъунур». Абы къыхигъэщащ КъБР-м къыдэлэжьэныр илъэси 7 — 8 и пэкIэ зэтраухуауэ зэрыщытар. «КъБР-р дэркIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьэгъущ, — къыхигъэщащ консулым, — сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, апхуэдэу зи псалъэм тебгъуэтэж куэд урихьэлIэнукъым». Фигу къэдгъэкIыжынщ ди къэралым куэд щIауэ оборудованэ Италием къызэрыщищэхур. «Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыпыщIар къапщтэмэ, итальянцхэм республикэм Iэмэпсымэхэр иращэ къудейкъым, атIэ инвестицэхэри а щIыпIэм халъхьэ. Дэ щыгъын, унэлъащIэ хуэдэхэр тхуэщэнущ, ауэ езы итальянцхэр кIуэрэ щIыпIэм щылажьэу къыщыхъур зэзэмызэххэщ. Зэрыфлъагъущи, КъБР-м ар къехъулIащ» — къыхигъэщащ консулым. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хыхьэ Прохладнэ къалэм мыгувэу къыщызэIуахынущ зэгъусэу зэлэжьа зы IуэхущIапIэ — чырбыш щащI завод. Ар хьэзыр хъуащ, уеблэмэ консул Лодиджиани Пьер-паолэ абы щыIэну хунэсащ. Заводым щIэтыр Италием щащIа Iэмэпсымэщ. Пэш псоми я унащхьэхэм камерэхэр хэтщи, итальянцхэм Iэмал яIэщ лэжьыгъэр зэрекIуэкIым къыкIэлъыплъыну. «Ар зэрыкIэлъыплъ, лэжьыгъэм и пIалъэ зэрырагъащIэ Iэмал хуэдэу щыту аращ, — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. — Ди зэдэлэжьэныгъэр мэкъумэш IэнатIэм къыщыщIэддзауэ щытащ, абы туризмэмкIэ пытщэнущ, адэкIи узыншагъэмрэ егъэджэныгъэмрэ пыщIа проектхэр зэхэлъхьэнми уегупсыс хъуну си гугъэщ. Италием и университетымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш университетымрэ я егъэджакIуэхэмрэ студентхэмкIэ зэхъуажэу зэтеублэнми мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ». Консулым къыхигъэщащ УФ-м и министр Федоров Николай КъБР-м щыщыIам республикэм и мэкъумэш IэнатIэм зэрызиужь щIыкIэр игу зэрырихьам зэрыщыгъуазэр, апхуэдэуи Италием и лIыкIуэри, Кавказым щыщыIам Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр бысыму къыхэзыхауэ щытари, абы арэзы зэрыдэхъур. Гу зылъытапхъэ: Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Италиемрэ я хьэрычэтыщIэхэм я зэдэлэжьэныгъэр жыжьэ къыщожьэ. Италием и лIыкIуэу Урысей Федерацэм щыIэ Ланди Антонио я пашэу а къэралым щыщ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ 2012 гъэм и бадзэуэгъуэм Налшык къыщыкIуам зытепсэлъыхьар республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм технологие и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным и закъуэкъым. Апхуэдэуи и гугъу ящIауэ щытащ иджырей мэкъумэш технологиехэр хэпщэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр щебгъэкIуэкI хъун щIыпIэу КъБР-р къэлъытэным икIи абыкIэ ар Кавказ Ищхъэрэм и адрей щIыналъэхэм щапхъэ яхуэхъуфыным. КъБР-м нэгъуэщI къэралхэм ядищI сатум Италием 2011 гъэм япэ увыпIэр щиубыдащ, илъэс куэд хъуауэ республикэр зыдэлажьэхэу Германиемрэ Украинэмрэ ящхьэпрыкIри. КъБР-мрэ Италиемрэ нэхъыщхьэу щызэдэлажьэр технологиещIэм тету хадэхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэмрэ мэракIуэхэкIхэмрэ щагъэкI мэкъумэш комплексхэр ухуэнырщ. ПсынщIэу зызыужь жыгхэм хуэдэхэр КъБР-м щыгъэкIыныр илъэс гъунэгъухэм мэкъумэш IэнатIэм зэрызиужьыну унэтIыныгъэхэм ящыщщ. 2008 гъэм къыщыщIэдзауэ республикэм апхуэдэ жыгхэр гектар миным щIигъум щыхасащ, 2020 гъэм нэсыху абыхэм щIыуэ яубыдыр хуэдипщIкIэ нэхъыбэ ящIыну я мурадщ. Апхуэдэуи хуэдипщIкIэ нэхъыбэ хъунущ хадэхэкI, пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр, дунейпсо мардэхэм къитIасэу яухуэнухэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщащтащ КъБР-м мэкъумэш-промышленнэ комплексым зыщегъэужьынымрэ къэралым абы хухих дэIэпыкъуныгъэм хэгъэхъуэнымрэ хуэунэтIа концепцэ. Абы ипкъ иткIэ, мэкъумэш-фермер хозяйствэхэм ядэIэпыкъуащ, дяпэкIи абыхэм зыщIагъэкъуэнущ. Абы щхьэкIэ къагъэсэбэпащ мэкъумэш-промышленнэ комплексым зыщIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ банкхэм щIыхуэ зэрат Iэмалхэри. Абы мэкъумэш IэнатIэм къришэлIащ фермерыщIэхэр икIи продукцэу къалэжьым зэрыхэхъуам и мызакъуэу, ерыскъыпхъэ промышленностым къыщIигъэкIхэри нэхъыбэ хъуащ (иужьрейм и хэхъуэр 2011 гъэм процент 50-м нэсащ). ЩОКЪАРЭ Залинэ, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI, КъБР-м и Iэтащхьэм и пресс-секретарь.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24598.txt" }
Нэхъ лъэщхэр къыхах «Налшык» спорткомплексым щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдомкIэ пашэныгъэ къыщыхьыным хуэунэтIауэ 1993-1995 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ спортсмен 50. Зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэщ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэр, республикэм дзюдомкIэ и федерацэр. Дзюдоист ныбжьыщIэхэм я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта зэпеуэхэм къыщыхэжаныкIахэм щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ иратащ. КИФЩI-м пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ мазаем и кIэм екIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтыну Iэмал ягъуэтащ спортсмен 20-м. Ахэр я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуахэу Джолабов Къайсын, ХьэхъупащIэ Беслъэн, Абазэ Ислъам, Къущхьэ Жамболэт, Мусэ Ахьмэд, Къущхьэ Вадим, Хъурсинэ Залымхъан, Гъубж Мурат, етIуанэ хъуахэу Гурский Александр, Циканов Ислъам, Гаджиболаев Артур, Джатэгъэжь Елдар, Тхьэгъэзит Азэмэт, Улбаш Чэрим, ещанэ увыпIэр зылъысахэу Грищенкэ Григорий, Къущхьэ Жамбот, ДыщэкI Алим, Тхьэгъэзит Iэдэм, Журт Ислъам, Настуев Азрэт, Индреев Къантемыр, Черноситов Дмитрий, Бэгъуэт Аскэр, Урыс Аслъэн, ЛъэмытхьэщI Тимур сымэщ. Пщынокъуэ Залым, КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24606.txt" }
Спортыр зи Iэпэгъухэр Армэ Iэпщэрыбанэ зэзауэмкIэ КъБР-м и федерацэм и унафэщI Шэрджэс Заурбэч зэрыжиIэмкIэ, а спорт лIэужьыгъуэм дехьэх ныбжьыщIэ, щIалэгъуалэ куэд. Абы щыхуагъасэ секцэм хыхьэну гукъыдэж зиIэ дэтхэнэми я зэфIэкI ягъэунэхуну Iэмал ират. Бэджыдэ Иналрэ Вэрокъуэ Лъостэнрэ. — Япэ илъэсым хуэмурэ йосэ мыбы щыгъэува хабзэхэм. АдэкIэ нэхъ IупщI мэхъу хэт сыт хузэфIэкIынуми. Iэмал имыIэу щыткъым дэтхэнэри чемпион мыхъуну, псоми спортыр IэщIагъэ яхуэмыхъуну. Узыншэу, жыджэру, Iэчлъэчагъ хэлъу къыдэкIуэтеин папщIэ, сабийр спортым дегъэхьэхын хуейщ,- жеIэ Заурбэч. НыбжькIэ нэхъ щIалэ гъэсэнхэм ящыщу абы къыхигъэщащ Бэджыдэ Иналрэ Вэрокъуэ Лъостэнрэ. Ахэр ящыщщ нэхъ ерыщу, еш ямыщIэу зызыгъасэхэм. Налшыкдэс Бэджыдэ Инал и ныбжьыр илъэсипщI мэхъу. Ар армэ Iэпщэрыбанэ зэзауэм зыщыхуагъасэ секцэм илъэс еплIанэ хъуауэ йокIуалIэ. 2012 гъэм а спорт лIэужьыгъуэмкIэ Налшык щекIуэкIа къалэ зэхьэзэхуэм чемпион щыхъуащ. А ехъулIэныгъэм игъэгушхуа Инал нэхъри ерыщу зегъасэ. — Ди секцэм сыкъыщIэкIуэр си ныбжьэгъухэм сахуэзэну, слъагъуну аракъым, абыхэм уэрамми сащыIуощIэф. Нэхъыщхьэр зызгъэсэнырщ, нэхъ лъэщ зысщIынырщ. Адрей спорт лIэужьыгъуэхэм къахызох нэхъ сыдэзыхьэх армэ Iэпщэрыбанэ зэзауэр, — жеIэ Инал. Инал езым нэхърэ нэхъыжьхэр хьэрхуэрэгъу къыхуэхъумэ нэхъ къещтэ. КъыгуроIуэ ахэр нэхъ лъэщу, гугъу уадехьу зэрыщытыр. Спортсмен ныбжьыщIэм зэрыжиIэщи, уи къарурэ гуащIэрэ хыумылъхьэу зыгуэрым утекIуэныр гъэщIэгъуэнкъым. Бэджыдэ Инал спортым зэман зэрытригъэкIуадэр, зэрыдихьэхыр и еджэным зыкIи зэран хуэхъуркъым. Абы и хъуэпсапIэщ, къыдэкIуэтеймэ, и адэм и лъэужьым ирикIуэну, полицэ IэщIагъэр къыхихыну. Спортыр узыншагъэм и нэщэнэу, абы Iэпкълъэпкъыр псынщIэ, жыджэр ищIу къелъытэ Вэрокъуэ Лъостэн. Ар Шэ-джэм щыщщ, илъэси 8 мэхъу. Школым фIыуэ зэрыщеджэм нэмыщI, дехьэх армэ Iэпщэрыбанэ зэзауэ спорт лIэужьыгъуэм икIи илъэс хъуауэ абы зыщыхуагъасэ секцэм йокIуалIэ. ЩIалэ цIыкIур зыхэт гупым я нэхъыщIэщ, ауэ щыхъукIи, щхьэх имыщIэу, ерыщу зэрызигъасэм и сэбэпкIэ хьэрхуэрэгъу къыхуэхъухэр нэхъыбэм хегъащIэ. Езыр къыщрагъэкIуэткIэ и жагъуэ хъуркъым, атIэ нэхъ ерыщу зегъасэ, иужькIэ езыр те-кIуэн хуэдэу. Лъостэн иджыри ищIэркъым, къыдэкIуэтеймэ, зыхуеджэнур. Спортыр IэщIагъэ хуэхъун, нэгъуэщI гуэрым дихьэхынкIи хъунщ. Ауэ шэч зыхэмылъыр зыщ — абы спортыр и ныбжьэгъущи, узыншэу, Iэчлъэчу къэхъунущ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24608.txt" }
Бжьыпэр яубыд Республикэм и Сабий эколого-биологие центрым щызэхэтащ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным дихьэх ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ. Урысейпсо щIэныгъэ олимпиадэм щыщ мы зэпеуэм кърихьэлIат зэрыра-гъаджэ школ программэхэм я лейуэ дерсхэр щат IуэхущIапIэхэм зи къэухьым зыщезыгъэужь цIыкIухэр. Зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыубыдахэм ящыщщ Шэджэм куейм и Натуралист ныбжьыщIэхэм я станцым и гъэсэнхэу Табаксоевэ Алимэрэ КIэдыкIуей Аидэрэ. Абыхэм утыку кърахьащ «КъБР-м и бгылъэ щIыпIэхэм помидор гъэкIыныр щезыгъэфIакIуэ биологие Iэмалхэр», «Ди гъунэгъу цIыкIухэр» зыфIаща проектхэр. КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм зэдэарэзыуэ япэ увыпIэр Табаксоевэм, етIуанэр — КIэдыкIуейм хуагъэфэщащ, щытхъу тхылъхэри иратащ. Жанхъуэт Зузэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24611.txt" }
Болэм и гупыр адэкIэ макIуэ «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ Болэ Руслан зыхэт Урысей Федерацэм футболымкIэ и щIалэгъуалэ командэ къыхэхар Санкт-Петербург щекIуэкI «Зэныбжьэгъугъэм и кубок-2013»-м и финалым и Iыхьэ плIанэм кIуащ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам зыхэта гупым бжьыпэр щиубыдащ. Япэ зэIущIитIым Узбекистанымрэ Къыргъызымрэ къикIахэм ар япэлъэщакъым икIи ахэр зэрытемыгъэкIуауэ, 2:2, 0:0-у, иухащ. Ещанэм Къэзахъстаным и командэ къыхэхар 7:3-уэ хигъэщIащ. ЗэIущIэ псоми «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ ныбжьыщIэр хэтащ икIи жыджэру зыкъигъэлъэгъуащ. Къэхъун Бэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24613.txt" }
Аргуэру — Тыркум Къыпэщылъ зэпеуэхэм «Спартак-Налшыкым» илъэс къэс Тыркум зыщыхуегъэхьэзыр. Мис аргуэруи блыщхьэ кIуам ар абы ежьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм тхьэмахуитIкIэ зыщызыгъэса налшыкдэсхэм иджы Тыркум и Анталье щIыпIэм щыпащэнущ. Абы «Спартак-Налшыкым» зэныбжьэгъугъэ зэIущIищ щригъэкIуэкIынущ. Хьэрхуэрэгъухэр къыщыхахынур нэхъ иужьыIуэкIэщ. Ди командэм къыхагъэхьэну зыкIэлъыплъ щIалэ зыбжанэ Тыркум здашащ. Абыхэм зыкъызэрагъэлъагъуэм елъытауэ адэкIи ядэлэжьэнущ. ЗэкIэ накъыгъэм и 31 пщIондэ бэджэнду къащтащ Колумбием щыщ гъуащхьэхъумэныкъуэ Флорес Карлос Андреас Руа. Ар Юрмалэ (Латвие) и «Спартак»-м кърашащ. Налшыкдэсхэм иджыри цIыхуибгъу зыха- гъэхьэну хуитщ. «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэу щыта Красножан Юрэ къигъэзэжыну языныкъуэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ирахьэжьа псалъэма-къыр пцIыуэ къыщIэкIащ. Ардыдэращ пхужыIэнур «Мордовия»-м бэджэнду иратауэ щыта Концедалов Романи теухуауи. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24616.txt" }
Тхыдэри щэнхабзэри щызэхэухуэна лэжьыгъэхэр КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ РСФСР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м и цIыхубэ художник, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат ТхьэкIумашэ Михаил и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Ар къызэрагъэпэщащ сурэтыщI Iэзэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. ТхьэкIумашэ Михаил Республикэм и тхыдэр, абы и цIыху цIэрыIуэхэр зи лъабжьэ лэжьыгъэхэм еплъыну куэд къызэхуэсат. ТхьэкIумашэм ищIа дахагъэхэр гунэс зэращыхъум къыдэкIуэу, республикэм нэхъ мащIэрэ щыплъагъу скульптурэ выставкэм налшыкдэсхэр зэрыхуэзэшар IупщIт. Къалэм скульптурэхэр къызэремэщIэкIыр абы хэплъхьэжмэ, нэри псэри зыхьэху дахагъэр, пIалъэкIэ нэхъ мыхъуми, зи хэщIапIэ хъуа Лъэпкъ музейр цIыху кIуапIэт. Михаил 80 гъэхэм щыщIэдзауэ нобэр къыздэсым и Iэдакъэм къыщIэкIахэм я нэхъыфIхэр щызэхуэхьэса мы гъэлъэгъуэныгъэм уеплъыну гухэхъуэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ Михаил и лэжьыгъэхэм щIэблэр зэрыщIапIыкIыр. ТхыдэмкIэ езыгъаджэхэм школакIуэхэмрэ студентхэмрэ ирагъэплъ скульпторым и лэжьыгъэу Налшык къалэм и уэрамхэм дэтхэм. Ахэр сэбэп мэхъу республикэм и блэкIам щIалэгъуалэр щыгъуазэу, лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр яхъумэу къэгъуэгурыкIуэнымкIэ. — Республикэр, абы и къалащхьэр ягъэдахэ Михаил и скульптурэхэм. Шэч хэлъкъым, цIыхум и IэдакъэщIэкIхэм нэхъ гъунэгъуу зыщыбгъэгъуэзэхукIэ, абы къикIуа гъуэгуанэми узэрыриплъэжым. Тхыдэр зи лъабжьэ, гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ зиIэ а скульптурэхэм дэтхэнэ зыри дыщIапIыкIащ. Илъэс зыбжанэм и кIуэцIкIэ Михаил и Iэдакъэм къыщIэкIа лэжьыгъэхэр фи пащхьэ идолъхьэ, зывгъэнщIыху феплъынуи Iэмал фиIэщ. ТхьэкIумашэ Михаил ящыщщ пщIэ зыхуэтщIу республикэм ис ди нэхъыжьыфIхэм. Узыншагъэ быдэ Тхьэм кърит, лэжьыгъэфIхэмкIэ дяпэкIи дигъэгуфIэну ди гуапэщ, — жиIащ Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс зэхыхьэр къыщызэ- Iуихым. Нэгумэ ШорэРСФСР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ефэнды Джылахъстэн, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Темыркъан Геннадий, БизнесымкIэ институтым и ректор, философие щIэныгъэхэм я доктор, академик Хъурей Феликс, Гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ ехьэлIа фэеплъхэр зыхъумэ Урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI, КъШР-мрэ КъБР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ Созаев Ахъмэт, нэгъуэщIхэми къыхагъэщащ Михаил и лэжьыгъэхэм пщIэ ин зэраIэр, республикэм исхэр скульптор Iэзэм зэрыригушхуэр. ТхьэкIумашэ Михаил фIыщIэ яхуищIащ зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэмрэ абы кърихьэлIахэмрэ.ЗэIущIэм хэтащ Михаил и благъэхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ, сурэтыщIхэр, республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, студентхэр, школакIуэхэр.Утыкум кърахьа скульптурэ, портрет телъыджэхэм куэд къызэщIаубыдэ. ЖыпIэнуракъэ, абыхэм щызэхэухуэнащ республикэм и тхыдэри, гъащIэри, щэнхабзэри, литературэри, нэгъуэщI куэди. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэр нэгъуэщI щIыналъэхэм фIыкIэ щызыгъэIуа, республикэм и щэнхабзэмрэ литературэмрэ зезыгъэужьа цIыху цIэрыIуэхэу Нэгумэ Шорэ, ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIуащ БетIал, Мечиев Кязим, Мэлбахъуэ Тимборэ, КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, КъардэнгъущI Зырамыку, ТIыхъужь Алий, Темыркъан Юрэ сымэ яхуигъэпса лэжьыгъэхэр ТхьэкIумашэм фIыуэ къызэрехъулIам шэч хэлъкъым.КIыщокъуэ Алим Музейм и лэжьакIуэхэм къызэрыджаIамкIэ, мы гъэлъэгъуэныгъэр къызэрызэIуахрэ зэпымыууэ цIыху- шхуэ макIуэ. Лэжьыгъэхэр къазэрыщыхъуам теухуа я гупсысэхэмрэ фIыщIэ псалъэхэмрэ музейм и тхылъым иратхэ. Псалъэм папщIэ, налшыкдэс пенсионерым а тхылъым иритхащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр цIыху зэчиифIэхэмкIэ зэрыкъулейр, Урысейм, нэгъуэщI щIыналъэхэм я музей нэхъыфI дыдэхэм ТхьэкIумашэм и скульптурэ лэжьыгъэхэр утыку щипхьэну зэрахуэфащэр, псом хуэмыдэу маэстро Темыркъан Юрэ и бюстыр игу зэрырихьар. Санкт-Петербург къикIыу ди республикэм щыхьэщIа нэгъуэщI зым итхащ ТхьэкIумашэм и скульптурэхэмрэ сурэтхэмрэ игу зэрырихьар, ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрыунэхуам, абы зэрызиужьам, и цIыхухэм зэрахьа лIыгъэм, я ехъулIэныгъэхэм теухуамкIэ, археологие фэеплъхэмкIэ ди музейр зэрыкъулейр. ТхьэкIумашэ Михаил и лэжьыгъэхэм еплъыну гукъыдэж зиIэхэм зэману иджыри мазэ фиIэщ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24618.txt" }
МэшбащIэ Исхьэкъ и тхылъхэр Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, УФ-м, АР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Шолоховым и цIэкIэ щыIэ, дунейпсо Адыгэ хасэм я саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ Урысейм и мызакъуэу, хамэ къэрал куэдми и цIэр фIыкIэ щыIуащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм теухуа къэхутэныгъэхэр щIэныгъэлI куэдым ирагъэкIуэкIащ, абы и романхэм, повестхэм, усыгъэхэм, поэмэхэм къыпэджэжащ художественнэ псалъэм и мыхьэнэм куууэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр. МэшбащIэм и тхыгъэхэр узыIэпишэу щIыбоджыкI, пэжым и телъхьэ тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм нэхъыбэу лъабжьэ хуэхъуар и лъэпкъым и тхыдэрщ, абы къыхэкIыуи абыхэм я щIэщыгъуагъыр имыкIыу сыт хуэдэ зэманми пхрыкIыфынущ. ТхакIуэ цIэрыIуэм и ныбжьыр илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу (2016 гъэм) абы и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр том 15 хъууэ адыгэбзэкIэ Мейкъуапэ къыщыдагъэкIыжынущ. Япэ томиплIыр дызэрыт илъэсым дунейм къытехьэнущ: «Усэхэр», «Усэхэмрэ поэмэхэмрэ», «ЦIыхур тIэу къалъхуркъым», «Жьапщэ илъэсхэр» романхэр (а тIур зэщIыгъущ), «Ягъеижахэм ежьэркъым», «ФIы щIэи, псым хэдзэ» (ахэри зэщIыгъущ). 2014 гъэм къыдэкIынущ «Нэхущ лъагъуэхэр», «Гуащэней», «КъуэкIыпIэмрэ къухьэпIэмрэ», «Ридадэ», «Адыгэхэр» романхэр. 2015 гъэм хуагъэхьэзыр «Айшэт», «Бзиикъуэ зауэ», «Мывэ щхьэл», «Хъан-Джэрий» тхыгъэхэр. 2016 гъэм къыдагъэкIынущ «ГъэритI», «Жасус», «Жыхьэнмэ мафIэ» романхэр. Иужьрей томыр IыхьитIу гуэшауэ щытынущ. Япэм — «ЩIыгумрэ уэгумрэ я зэхуакум сыт щыIэр?» фIэщыгъэр зиIэм — МэшбащIэ Исхьэкъ теухуауэ ятхахэр къыщызэщIэкъуэжащ, «Литературэр си гъащIэщ» Iыхьэм тхакIуэм езым и IэдакъэщIэкI тхыгъэхэр щызэхуэхьэсащ. ГЪУКIАКЪУЭ Идар.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24624.txt" }
Хьэвжокъуэ Людмилэ и усэхэр Бжьыхьэ Гъуэгу псыфым тхьэмпэ гъуэжь тепхъащ, Зэхэтщ жыг пцIанэхэр кIэкуакуэу. Жьы уаер къэсри, къызэпхъуащ, Плъыжьыбзэу къысхуилащ си нэкIур. Къуаргъыжьхэм уафэр яуфэбгъуащ, Цыджан фызышэу зэрызехьэу. Уэшх щIыIэр си пкъым къысфIепхъуащ, Макъ щэхукIэ си псэр игъэпыхьэу. ИтIани си гуи емыбгъа, Гукъани хуэзмыщIа мы бжьыхьэм… Насып дыщэпс къытрипхъащ Езым и плъыфэу схуила си щхьэм. *** Адыгэ фащэ щыстIэгъауэ, Нэхущым щэхуу сыхыхьауэ, Уэшх-шылэхъар къызэпхъухауэ, Жьым тхьэмпэ гъуэжь къызипхъыхауэ, Пшынауэ уафэр къэлъэхъшауэ, КъэфакIуэ жыгхэр къыдашауэ, Сыхуашэжауэ бжьыхьэ-щауэм СопщIыхь, сымыщIэу сэ нэху щауэ. Адыгэ пшынэ Адыгэ пшынэ, уи Iэпэ дыщэм Къыпыщ макъамэр гущхьэм тощащэ, Узэрощэщыр, зигъазэу гущIэм, Щауэм лэгъунэм щIишамэ пщащэр. ЩитIагъэм пщащэм фащэ дахащэр, Къыбош макъамэр, си псэм къыхэпшу, Уэ бдесхьэкIынущ схухиха гъащIэр, СыбдэусэнкIэ зикI зызмыгъэнщIу. Уэ зырщ щыгъуазэр гум дыхьэ лъагъуэм, Уемызэшыжу укъызоубзэ. Сэ къызжиIэфыр уэ уи зы гъуагъуэм КъыхуэIуэтэну щымыIэ зы бзэ. Сэ цIыхуу сыкъэнэнущ! Сэ цIыхуу сыкъэнэнущ Си фащэкIи, си щэнкIи, Гуращэ зэIущэнкIи… Сэ цIыхуу сыкъэнэнущ. ЦIыхугъэр щысхъумэнущ Шэ-псалъэ къызаутIыпщми, Дунейр зыкъутэ губжьми ЦIыхугъэр щысхъумэнущ. СрещI теIущIыкIыпIэ — Арщ къыхуэнэжыр и пIэ Имызэгъэж жагъуэгъум… СрещI теIущIыкIыпIэ. Сэ цIыхуу сыкъэнэнущ, ПщэдджыжькIэ къыщIэкI дыгъэм Пэджэжу псэ нэхугъэр… Сэ цIыхуу сыкъэнэнущ! Зы къару гуэрым укъысхуешэ Зы къару гуэрым укъысхуешэ, Зы къару гуэрым узбгъэдеш. Ди зэхуаку гъуэгур нашэкъашэу Зэхэшыхьащи, ущозэш. Укъыщысхуишэм псыIэрышэм, Мывэ къыр лъагэр къыппоув. УщыфIэкIыфкIи уэ биишэм, Уи пащхьэр мэхъу мэз чыцэ Iув. ИтIани уи псэр тепыIэншэщ, — Сэ сызэрожьэр ищIэ хъунщ… Зы къару гуэрым укъысхуешэ, Ухыгъэм фIэфIщи усщIыгъун. *** КхъыIэ, пцIыкIэ сумыукI… Зэгуэр уигу къызэбгъэ хъумэ, Си псэ пцIанэу схуэмыхъумэм Къамэ папцIэкIэ къепыдж. Ухуейм, гущхьэр зэгуегъэч ГубжькIэ къэбутIыпщ фочышэм. Ауэ, гъуэгу щтырыгъу сытепшэу, КхъыIэ, пцIыкIэ сумыукI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24626.txt" }
«Гугъэр» щыгъэу зэролъэлъ БизнесымкIэ институтым иджыблагъэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Пшыхьыр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар усакIуэ, драматург, журналист, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ и лэжьыгъэрат. КъищынэмыщIауэ, абы щагъэлъэпIащ Заринэ и жэрдэмкIэ ирагъэкIуэкIа «Гугъэ» зэпеуэм щытекIуахэр. Абы и къызэгъэпэщакIуэ гупым хэтахэщ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Ширдий Маринэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Ныбэжь Таисэ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и пресс-секретарь Алборэ Иннэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэу ЩхьэщэмыщI Изэрэ Щомахуэ Залинэрэ, Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэм и режиссер нэхъыщхьэ Гумэ Маринэ, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м и нэтынхэр езыгъэкIуэкI Хъуэжэ Жан сымэ. Зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм я мурад нэхъыщхьэр къыдэкIуэтей щIэблэм адыгэбзэкIэ тхэ яхэтмэ, ахэр наIуэ къащIынырщ, гъэгушхуэнырщ. Абы хэтыну къыхураджат адыгэбзэкIэ усэ, прозэ, литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм дихьэххэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, прозэу кърахьэлIар мащIэщ, ахэри гулъытэ щхьэхуэ зыхуэщIыпхъэу жюрим хэтахэм къыщамылъытэм, увыпIэ щхьэхуэ хуагъэфэщакъым. КъэпщытакIуэ гупым и лъэIукIэ тхыгъэхэм еджащ, я псалъи жаIащ усакIуэ, тхакIуэ Бещтокъуэ Хьэбас, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор ЩоджэнцIыкIу Нинэ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ, урысейпсо зэпеуэм щытекIуа Хур Мадинэ сымэ. Хъурей Феликс УвыпIэ щхьэхуэ къимыхьами, усэ зытх зы щIалэ и цIэ къыхагъэщащ. Хэкум, лъэпкъым теухуауэ куэд зэритхым, и IэдакъэщIэкIхэм псэкупсэ лъабжьэ зэраIэм папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым экономикэмкIэ и факультетым и студент Шыбзыхъуэ Астемырщ зи цIэ къраIуар. Ещанэ увыпIэр зэпеуэм къыщихьащ КъБКъУ-м филологиемкIэ и институтым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и етхуанэ курсым щеджэ Хьэрэдурэ Аллэ. Ар Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ипщэ (Ислъэмей) къуажэм щыщщ, зэпеуэм щигъэлъэгъуар и эссехэращ. ЕтIуанэ увыпIэр хуагъэфэщащ «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм хэт Бэрбэч Аслъэнджэрий. Ар Аушыджэр къуажэм щыщщ, КъБКъУ-м, «Нанотехнологиемрэ электроникэмрэ» къудамэм, и етхуанэ курсым щоджэ. Бэрбэчым и усэхэр республикэм къыщыдэкI журналхэмрэ газетхэмрэ мызэ-мытIэу къытрадзащ. Литературэ хасэм хэтхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «КъудамэщIэ», «Шыхулъагъуэм» и вагъуэхэр» тхылъхэм итщ Аслъэнджэрий и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ. Зэпеуэр иджыри зэ щыхьэт техъуащ щIалэгъуалэр прозэ жанрым нэхърэ усэным нэхъ зэрыдихьэхыр. Пьесэмрэ прозэмрэ зэкIэ гулъытэншэу къэнащ. Усэным нэхъ хуэIэзэу ялъытэри, япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Хьэвжокъуэ Людмилэ. Усэ нэгъэсахэр зи Iэдакъэ къыщIэкI пщащэр щIэныгъэми хозагъэ. Людмилэ Нартан къуажэм щыщщ, усэ зэритхым къищынэмыщIауэ, литературэр едж, филологие щIэныгъэхэм я кандидатщ, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ щIэныгъэ институтым къэбэрдей литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэщ. Хьэвжокъуэм и усэхэр республикэм къыщыдэкI газет, журнал зэмылIэужьыгъуэхэм къытохуэ. 2011 гъэм Людмилэ и усэ тхылъ щхьэхуэ, «Гухэлъ налъэ» жыхуиIэр, дунейм къытехьащ. Хьэвжокъуэ Людмилэ — Зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэшхуэ яхуэфащэщ, щIэблэр къазэрыфIэIуэхум, ядэIэпыкъун гуращэ зэраIэм папщIэ, — жиIащ Хьэвжокъуэ Людмилэ. БизнесымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и ректор, философие щIэныгъэхэм я доктор, академик Хъурей Феликс зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм, щхьэхуэу Къаныкъуэ Заринэ, фIыщIэшхуэ яхуищIащ. Лъэпкъым папщIэ зэфIагъэкI лэжьыгъэхэм, Iуэху щхьэпэхэм пщIэ лей зэрахуэфащэр и псалъэм къыхигъэщащ. БизнесымкIэ институтымрэ КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтымрэ я студентхэр Къаныкъуэ Заринэ и усэхэм дахэу, гъэхуауэ къеджа иужькIэ, упщIэ зиIэхэм усакIуэм зыхуагъэзащ. ТхакIуэм хуэдэу и IэдакъэщIэкIыр зыми хузыхэщIэнукъым — Заринэ и усэхэм къыщеджэжым, къызэхуэсахэм дагъэхунIакIэ шынэ хуэдэ псалъэ налъэ зыIэпамыгъэхуу щIэдэIуащ. Мы пшыхьым щIэса дэтхэнэми гупсысэ нэху, дахагъэ и гум къыщыушауэ здыщIихыжащ. Литературэм и мыхьэнэр, къалэныр абдеж къыщожьэ… Ди гуапэу тыдодзэ зэпеуэм щытекIуа Хьэвжокъуэ Людмилэ и усэхэм щыщ. Къаныкъуэ Заринэ Шыбзыхъуэ Астемыр Бэрбэч Аслъэнджэрий Хьэрэдурэ Аллэ Иуаз Зубер Инэрокъуэ Данэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24628.txt" }
Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ иджыблагъэ екIуэкIащ нобэ адыгэбзэм и Iуэху зыIутым, адэкIэ абы и зыужьыкIэ хъунум теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, абы и япэ къуэдзэ, КъБКъУ-м и проректор Къэжэр Артур, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан, БизнесымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и ректор Хъурей Феликс, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Ацкъан Руслан, «Хэку» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ НэкIацэ Владимир, профессор Бейтыгъуэн Мусер, Бзэхэр зэрадж щIэныпхъэ институтым и лэжьакIуэ ХьэцIыкIу Раисэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Сэхъурокъуэ Хьэутий, Бейтыгъуэн Мусер, Къэжэр Артур сымэ. — Нобэ мыбдеж дыщIызэхуэсар лъэпкъыр щызыгъэIэж, хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэу абы бгъэдэлъ бзэр хъума зэрыхъуным, ар адэкIи зэредгъэфIэкIуэным теухуа ди Iуэху еплъыкIэхэмкIэ дызэдэгуэшэну аращ, — жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым Сэхъурокъуэ Хьэутий. — Тхьэм къытIурилъхьа бзэр хъумэныр ар дэтхэнэ зыми ди къалэнщ. И чэзу хъуауэ къыщIэкIынщ адыгэм псоми зы литературэбзэ диIэну. ДАХ-р илъэс 21-рэ хъуауэ зи ужь ит Iуэхущ зи гугъу сщIыр. Абы теухуа Iуэху еплъыкIэ куэди утыку кърахьащ, зэдауэ мащIи екIуэкIакъым. Иджы зы Iуэхум дыкъытеувыIэу, нэхъ тэмэму куэдым къалъытэ зы еплъыкIэ утыкушхуэм итхьэн хуейщ. Профессор Бейтыгъуэн Мусер къытеувыIащ алфавитым хэлъхьэн хуей зэхъуэкIыныгъэхэм икIи къыхигъэщащ, ар бзэр зыIурылъхэр тыншу еджэфу, тхэфу егъэсэным хуэгъэпсауэ зэрыщытыпхъэр. Щапхъэхэр къигъэлъагъуэурэ и Iуэху еплъыкIэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIа иужь, унафэ къащтащ абы хэлэжьыхьыжу КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм хуагъэхьыну, итIанэ иджыри зэ ДАХ-м и утыку къыщрахьэну, адэкIэ «Адыгэ псалъэ» газетми къытрадзэну. Псом япэу зи Iуэху еплъыкIэ къэщIэн хуейр абы ирилэжьэну егъэджакIуэхэращи, Iэмал имыIэу ахэри щагъэгъуазэу я гупсысэр Iуэхум къыхэлъытэн зэрыхуейр псоми къыхагъэщащ. ХьэцIыкIу Раисэ, Ацкъан Руслан, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ. — Нобэ дызэреджэ, дызэрытхэ алфавитыр яуб щхьэкIэ, ар зэхэзылъхьахэр гупсысэ шэщIа хэлъу Iуэхум бгъэдыхьащ, — жиIащ ХьэцIыкIу Раисэ. — Нобэ утыку кърахьа Iуэху еплъыкIэм ущIызэдэуэн куэд хэлъщ. Алфавитыр зэхъуэкIын хуей хъумэ, ар нэхъ тынш зэрыпщIынырщ зэлэжьыпхъэр. АдэкIэ Раисэ тепсэлъыхьащ ШэкIыхьэщIэ Марие иубзыхуауэ щыта структурнэ методикэр и лъабжьэу адыгэбзэр зэрырагъэдж хъуну экспериментальнэ пособиехэр зэрагъэхьэзырам, ягу къигъэкIыжащ а бзылъхугъэ Iущым и къэхутэныгъэмкIэ гъэунэхуныгъэ дерсхэр зэрырагъэкIуэкIар, ар урысей щIэныгъэлI куэдым ехъулIэныгъэшхуэу къалъытэу жаIахэр, абы теухуауэ ятхахэр. — «Адыгэ псалъэ» зыфIэтща тхылъхэр утыку къихьэнымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ къытхуэхъуащ БизнесымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр, — пищащ адэкIэ ХьэцIыкIум. — Дэ къызэрытлъытэмкIэ, структурнэ методикэм и къалэн нэхъыщхьэр бзэр хъумэнырщ. Ар тещIыхьащ бзэм и псалъэ къэхъукIэ Iэмалхэм. А методикэр къытхуэгъэсэбэпмэ, абы тхэкIэри псэлъэкIэри нэхъ тэмэм, убзыхуа, къулей ищIынущ. КъищынэмыщIауэ, а бзэр зыIурылъыр абы ирипсэлъэну хуейуэ щIынымкIэ зы IэмалыфIщ. «Псалъэ къэхъукIэ ебгъащIэкIэ бзэр ящIэну?» — апхуэдэу жаIэ Iуэхум куууэ хэмыплъахэм. Псалъэ къоунэху, ар бзэм къыщыдгъэсэбэпкIэрэ, нэхъ къулей мэхъу. Нэхъыщхьэу зи гугъу сщIы методикэм хэлъым щыщу къыщIэкIынщ зы мыхьэнэкIэ зэпха псалъэ гупышхуэ къызэрыбгъэхъуфыр. Сабийм жиIэнумрэ ар къызэрыкI псалъэмрэ тэмэму зэтехуэу къагъэсэбэпыфу ирегъасэ. Адыгэбзэм псалъэу диIэр зэгъусэу къызэщIекъуэж а методикэм икIи сабийм и пащхьэм ирелъхьэ. Гуауэр, гуапэр зэрызыхащIэм хуэдэу, псалъэр зыхащIэу егъэсэн хуейщ сабийр. Семэн Пщыкъанрэ НэкIацэ Владимиррэ. — Илъэс Iэджэ щIауэ дуней псом адыгэр щикъухьауэ допсэу икIи дэнэ щыIэми и бзэр зэрихъумэжыным хущIэкъуу къэгъуэгурыкIуащ, — жиIащ псалъэмакъым къыпищэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. — 1969 гъэм япэу Сирием сыщыкIуам, иужькIэ 1971 гъэм Тыркум сыщыщыIам сэ гу лъыстащ абы щыпсэу адыгэхэм зыри къадэмыIэпыкъуу, а нобэ дэ гугъу дызыдехь алфавитыр езыр-езыру зрагъэщIауэ, я анэдэлъхубзэкIэ псэлъэфу зэрыщытым. Ауэ нобэ адыгэбзэр зыщIэжу Сириеми, Иорданиеми, Тыркуми исыр мащIэ дыдэщ. Илъэс 33-рэ хъуауэ Иорданием адыгэ еджапIэ щолажьэри, абы екIуалIэ цIыкIухэм ирагъащIэр нэсу къагурыIуэркъым, гукIэ зрагъэщIауэ зыгуэрхэр къыбжаIэфынущ, «Илъэс дапщэ ухъурэ?» — жыпIэу уеупщIмэ, жэуап къуамытыжыфынри хэлъщ. 1972 гъэм Иорданием щыпсэу адыгэхэм я процент 50-м адыгэбзэр ящIэу щытамэ, нобэ ар зэрыхъужыр проценти 10 къудейщ. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, зыхэсым яхэшыпсыхьыжынущ. Ди зэманым бзэр зыхъумэну узыщыгугъынур Хэкум исхэращ. Аращи, адыгэбзэр мыбдеж щаджын щхьэкIэ а щыIэ тIэкIур дымыгъэкIуэду ар зэредгъэфIэкIуэным дыхущIэкъун хуейщ. Ди тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэм бзэ къулейкIэ ятхахэм лъэпкъыр къеджэфу щытыну дыхуеймэ, алфавитым куууэ дыхэIэбэ хъунукъым. ДыхэIэбэмэ, иджыпсту я анэдэлъхубзэкIэ еджэу диIэ тIэкIури тфIэкIуэдынущ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ Iуэхум укъыщеплъмэ, апхуэдиз тхылъхэмрэ учебникхэмрэ къытхудэгъэкIыжыну?! Китайм иероглифу 50.000-м нэс иIэщ, ауэ къагъэсэбэпыр 4000 — 7000-м щIигъуркъым. Университетым щеджэ студентым мини 3-м нэс ищIэн хуейщ. Адыгэбзэм и хьэрф 59-р зэбгъэщIэну апхуэдизу гугъу-тIэ? Алфавитым ухэIэбэми, хьэрфищу зэгуэт зытхухыр къэбэрдейми, адыгейми, шэрджэсми зэтехуэу къэдгъэсэбэпу зэтхъуэкIыпхъэщ. Ар илъэс зыбжанэ и пэкIэ КъБР-м и Парламентым къыщыхалъхьауэ щытащ, ауэ ди къуэш республикэхэм къыддаIыгъакъым. АдэкIэ Мухьэмэд тепсэлъыхьащ «Адыгэбзэр бджыну гугъущ», — жаIэурэ къалэдэс адэ-анэхэм я бынхэр а дерсхэм зэрамыгъакIуэм икIи къыхигъэщащ бзэр хъумэныр къыщежьэр унагъуэрауэ щыщыткIэ, абы и мыхьэнэр зыхуэдэр, ар тфIэкIуэдмэ, лъэпкъыр хэкIуэдыжын шынагъуэ зэрыщыIэр, псом япэрауэ, балигъхэм ягурыгъэIуэн зэрыхуейр. — Узыгъэгулэз Iуэху ущрихьэлIэкIэ: «Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар сыт? — жыпIэу упщIэ бгъэуву абы и жэуапыр къэлъыхъуэн хуейщ, — къыхигъэщащ Семэн Пщыкъан. — Сабийм и бзэр хузэгъэщIэжыркъым, е егъэджакIуэр и къалэным тэмэму пэлъэщыркъым, е ар зэрылажьэ методикэр хъуркъым. Iуэхур ебгъэфIэкIуэным теухуауэ къыхэплъхьэ дэтхэнэ еплъыкIэми фIыуи Iейуи хэлъыр зэпэлъытын хуейщ, абыкIэ гъэунэхуныгъэ щхьэхуэхэр егъэкIуэкIыпхъэщ. Дэ сыт хуэдэ гупсысэ утыку къитхьэми, сыт хуэдэ Iуэху етхьэжьэми, цIыхухэм я фIэщ хъууу щытын хуейщ. Япэ дыдэу къыбдэзыIыгъын хуейр а лэжьыгъэм пэрытырщ. Дэ нобэ дызытепсэлъыхь Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуэтэныр егъэджакIуэхэращи, ди гупсысэр абыхэм къыддаIыгъыу, еплъыкIэ къыхэтлъхьэхэмкIэ арэзыуэ щытын хуейщ. Зыгуэрым унафэ тетщIыхьын щхьэкIэ, а Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIым и чэнджэщ дыхуэныкъуэщ, абы ирилажьэхэр къыхэтлъхьэ гупсысэмкIэ арэзымэ, гъэунэхуныгъэхэр егъэкIуэкIауэ утыку къипхьэ хъунущ. КъБКъУ-м и адыгэ къудамэм щеджэхэм я щIэныгъэм арэзы укъызэримыщIыр, уеблэмэ я анэдэлъхубзэкIэ тэмэму зэремыджэфыр узыгъэгузавэ Iуэхуу зэрыщытыр жиIащ Ацкъан Руслан. Абы къыхигъэщащ ар къэзыухахэм школхэм ягъэзэжу сабийхэр ирагъэджэн хуей щыхъукIэ, щIэблэм яIурылъыну бзэри зыхуэдэр гурыIуэгъуэ зэрыхъур. Учебникхэм я гугъу щищIым Ацкъаныр тепсэлъыхьащ нэхъапэм министерствэм епхауэ учебно-методическэ совет лажьэу зэрыщытам, абы егъэджакIуэ нэхъыфIхэр хэту дунейм къытехьэну тхылъхэр зыхуэдэр къапщытэу зэрекIуэкIам икIи къыхилъхьащ а Iуэхур къыдэхыжыпхъэу. — Ди бзэр щытыкIэ гугъу зэрихуар къегъэлъагъуэ университетым и адыгэ къудамэм щIэтIысхьэну нэгъабэ зи тхылъ зытам я бжыгъэм. Ар зы цIыху закъуэщ… — жиIащ Хъурей Феликс. — Бзэм и Iуэху дэгъэкIынымкIэ, ар егъэфIэкIуэнымкIэ ди институтыр сыткIи дэIэпыкъуэгъу хъунущ. «Адыгэ псалъэ» тхылъыр хьэзыр щыхъум къыдэдгъэкIащ. АбыкIэ гъэунэхуныгъэ дерсхэр Дохъущыкъуей, Урыху къуажэхэм щрагъэкIуэкIащ икIи хъарзынэу къайхъулIауэ къалъытащ. Апхуэдэ дерсхэр нэгъуэщI еджапIэхэми щегъэкIуэкIауэ, а методикэм и мыхьэнэр нэсу гъэунэхун хуейщ. ДызыщIэгупсысыжмэ, нобэ анэдэлъхубзэр джыным и Iуэхур щытыкIэ гугъу дыдэм къихутащ. АдэкIэ Къэжэр Артур тепсэлъыхьащ адыгэбзэм хуэунэтIауэ КъБКъУ-м щекIуэкI лэжьыгъэм. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, мы зэманым гуманитар щIэныгъэр къыхэзыххэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу, ныбжьыщIэхэм нэхъыбэу зытрагъащIэр юрист, экономист IэщIагъэхэрщ. Адыгэбзэм хуеджэну гупыж зиIэр зэрымащIэм, бзэр фIыуэ зэрамыщIэм и щхьэусыгъуэр къыщылъыхъуапхъэр школхэрауэ зэрыщытыр къыхигъэщащ Артур. Апхуэдэуи и гугъу ищIащ факультет псоми япэ курсым щIэсхэм зы илъэскIэ адыгэбзэр зэрыщрагъэджым, абыкIэ экзамен къызэрыIахыжым. Къэжэрым и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, мыбдежми студентхэр а сыхьэтыр зэрыдагъэхуным иужь итщ, уеблэмэ абыхэм я адэ-анэ къулыкъущIэхэр я бынхэм адыгэбзэр джыныр «къытрамыгъэхьэлъэну» щIолъэIу. — Адыгэбзэр джыным и Iуэхур зыхуэкIуар гущIыхьэщ, — жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий, — ауэ хэкIыпIэ гуэр къыхуумыгъуэтыфын хуэдэу щыткъым. Псалъэм папщIэ, адыгэ къудамэм щIэтIысхьэхэм я бжыгъэм тхухэгъэхъуэжынущ. Район къэс зы цIыху КъБКъУ-м хущIэгъэтIысхьэн хуейщ. Бзэр зи акъылым нэхъ хэпща, ар шэрыуэу зыIурылъ ныбжьыщIэхэр Iуэхум нэхъ тезыгъэгушхуэн Iэмалхэр, хэкIыпIэхэр къэлъыхъуапхъэщ. ДыщыпсалъэкIэ, псори дыадыгэ нэсщ, адыгэгу ткIуэцIылъщ, ауэ дыкъызыхэкIа лъэпкъым Iурылъ бзэр ефIэкIуэнымкIэ зыми зыри тхузэфIэмыкIыу дыкъыщIедзыж. Нобэ къетхьэжьа Iуэхур тхылъымпIэм иту къэмынэжу, ар гъащIэм хэпща зэрыхъуным дыхущIэкъупхъэщ. Абы ипкъ иткIэ, Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхилъхьащ алфавитыр егъэфIэкIуэным, бзэм зегъэужьыным теухуа мыпхуэдэ зэIущIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм я бзэ щIэныгъэлIхэр хэту къызэгъэпэщын хуейуэ икIи иужьым псоми я Iуэху еплъыкIэр къыщызэщIакъуэж зы зэIущIэшхуэ егъэкIуэкIыпхъэу. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24638.txt" }
Мэкъумэш IэнатIэм къэкIуэну зэманым езэгъыу зеужь Лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIам Федоров Николай жиIащ Дунейпсо сату зэгухьэныгъэм къигъэувхэм езэгъыу мы щIыналъэм зэрызиужьыр. КъехьэлIэжыным къыдэкIуэу, хъумэни хуейщ Федеральнэ министрым республикэм и унафэщIхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэхэм ящыщ зыр къыщызэрагъэпэщащ хадэхэкIхэр псы щIагъаткIуэурэ щагъэкI иджырей теплицэ комплексым — «Агро-Ком» ООО-м. Мы IуэхущIапIэр 2008 гъэм кърагъэжьауэ щытащ. 2015 гъэм ирихьэлIэу абы щIыуэ иIыгъыр гектари 100-м нэсынущ икIи, проектым къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу, помидор тонн мин 67-м щIигъу илъэс къэс къыщрахьэлIэнущ. ЗэкIэ теплицэхэр псори зэхэту гектар 20 хъууэ аращ. Псом япэу уогупсыс: апхуэдиз продукцэр кърахьэлIэу хуежьэмэ, ар щахъумэнур дэнэ икIи сыт хуэдэу? Абы папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуащ хадэхэкI, пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэ — зи щIыIагъ-хуабагъыр зэрыхуейуэ тезыухуэ Iэмэпсымэхэр зыхэт, тонн мини 5 зыщIэхуэ щIыIалъэ. ХъумапIэр камерэ 24-уэ зэпыудащ, дэтхэнэми тонни 170-м нэблагъэ щIэхуэу. ХъумапIэм щIэт кислородыр, псыIагъэр зыхуэдизыр, хьэуам и хуабагъэр продукцэр нэхъыфIу хъума зэрыхъуным тещIыхьауэ щытщ. Оборудованэр компьютерхэм япыщIауэ мэлажьэ. Апхуэдэ промышленнэ щIыIалъэу иджыри 12 хуэдиз ящIыну я мурадщ, псоми зэхэту пхъэщхьэмыщхьэу, хадэхэкIыу тонн мин 60-м щIигъу щIэхуэну. — Мыбы щыслъэгъуа предприятэхэр, абыхэм иджыпсту яухуэхэри яхэту, ипэжыпIэкIэ XXI лIэщIыгъуэм хуэфащэщ, ахэр къэкIуэну зэманым къигъэувыну къалэнхэм япэлъэщынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр Дунейпсо сату зэгухьэныгъэм къигъэувхэм тету зэрылэжьэнум хуэхьэзыр щIыналъэщ. Я нэхъ мащIэ дыдэр арамэ, абы фIагъышхуэ зиIэ продукцэмкIэ къэрал псор, языныкъуэ пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIхэмкIэ СНГ-м хэт къэралхэр, Европэм щыIэ къэралхэр къызэригъэпэщыфынущ, — мы IэнатIэм зэрызиужьым теухуауэ жиIащ Федоров Николай. КъБР-м щагъэкI мыIэрысэхэр нэгъуэщI къэралхэм кърашхэм йофIэкI «Бжьыхьэ дыщафэ-2012» агропромышленнэ выставкэм КъБР-м и мэкъумэшыщIэхэм я инвестицэ, инновацэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ медалу 41-рэ къыхуагъэфэщащ, я нэхъыбэр дыщэ медалу. УФ-м и премьер-министр Медведев Дмитрий хэхауэ жиIащ псынщIэу къызыпыкIэ жыгхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыпачыж мыIэрысэм фIагъ лъагэ зэриIэр. Республикэр куэдкIэ щогугъ агропромышленнэ комплексым а и IэнатIэм. Илъэситхум къриубыдэу хаса жыг хадэ гектар мини 5,5-м нэблагъэм щыщу гектар минитI хуэдизыр псынщIэу къызыпыкIэ мыIэрысейхэрщ. Апхуэдэу щIышхуэ (гектари 125-рэ) хухахащ пасэу къызыпыкIэ жыгыщIэу гъэ къэс мелуани 3-м нэблагъэ щагъэкIыну питомникым. Жыгхэм я фIыгъуэу къащыпыкIэу хуежьэну 2024 гъэм ирихьэлIэу КъБР-м и мэкъумэшыщIэхэм я мурадщ пхъэщхьэмыщхьэу тонн мелуан нэхърэ мынэхъ мащIэ илъэсым кърахьэлIэу щIадзэну. Апхуэдэ мурад инхэр ипэжыпIэкIэ яхуэгъэзэщIэну пIэрэ? Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен ар икъукIэ къалэн ину зэрыщытыр къелъытэ, ауэ ар зэрахузэфIэкIынум шэч къытрихьэркъым. — 2020 гъэм нэсыху дэ жыг хадэу гектар мин 20 хэтсэн хуейщ. НэгъуэщI къэралхэм къраш продукцэм и пIэкIэ дэ къэдгъэкIар пхыдгъэкIыфу щIэддзэрэ Урысейм и рынокыр дубыдыфмэ, абы ди Iуэхур нэхъри япэкIэ игъэкIуэтэнущ. АтIэми, уегупсысмэ, жыг хадэхэр бгъэкIын нэхърэ нэхъыфI сыт щыIэ! — жиIащ Къанокъуэ Арсен. НэгъуэщI къэралхэм кърашурэ пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэу Урысейм гъэ къэс ику иту тонн мелуани 2,4-рэ зэрыщащэр къэплъытэмэ, КъБР-м и мэкъумэшыщIэхэм къалэнышхуэ зэфIагъэкIыфынущ нэгъуэщI къэралхэм къраш продукцэр гъэмэщIэным и лъэныкъуэкIэ. — Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIхэмрэ къызэралэжьыр егъэфIэкIуэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм и щIыналъэ пэрыт хъуфынущ, — жиIащ Къанокъуэ Арсен федеральнэ министрым щепсалъэм. Федоров Николай къызэрилъытамкIэ, апхуэдэ къалэн инхэр гъэзэщIа хъун папщIэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу щы щыIэщ. «Псом япэу, ар агробизнесым пыщIахэм, а бизнесым зегъэужьынымкIэ абыхэм ядэIэпыкъу политикхэм щIэныгъэ куу зэраIэрщ, къыкIэлъыкIуэу — щалъхуа щIыналъэр, хэкур фIыуэ зэралъагъурщ икIи апхуэдэ лъагъуныгъэм щыхьэт техъуэ Iуэху пыухыкIахэр зэрызэфIагъэкIырщ, апхуэдэу псэемыблэжу, дихьэхыу ахэр зэрызэдэлажьэрщ. А псомкIи фэ дагъуэ къыфхуащIыфынукъым», — жиIащ министрым. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и агропромышленнэ комплексым зегъэужьыным теухуауэ блэкIа илъэсым шыщхьэIум и 28-м Дагъыстэным щекIуэкIа щIыналъэ зэхуаку зэIущIэм Федоров Николай къыщыхигъэщащ Кавказ Ищхъэрэ округми, зэрыщыту къэралми я социально-экономикэ зыужьыныгъэр щIэгъэхуэбжьэнымкIэ жызум гъэкIыным, шагъыр щIыным мыхьэнэшхуэ зэраIэр. КъБР-м и щIыналъэр (псом хуэмыдэу Балъкъ, Бахъсэн псыхэр щызэхэхуэжым хуэзэ тафэ щIыпIэхэр) икъукIэ дэгъуэу къозэгъ жызум гъэкIыным, апхуэдэу щыщыткIэ, шагъыру ящIми хэгъэхъуэным. ИджыпстукIэ республикэм жызум хадэу щыIэр гектар мин 1,5-м ноблагъэ. Жызум хадэхэр хэсэнымрэ ахэр зехьэнымрэ трагъэкIуэдэн папщIэ иужьрей илъэситхум къриубыдэу къэрал ахъшэу сом мелуан 52-м щIигъу хухахащ. 2020 гъэм ирихьэлIэу республикэм и жызум хадэхэр гектар мини 3-м нагъэсыну я мурадщ. МыIэрысэхэр Берлин яшэ КъБР-м и агропромышленнэ IэнатIэм иджыпсту щIыналъэм и экономикэм увыпIэшхуэ щеубыд. Республикэм и валовэ щIыналъэ продуктым и процент 20-м щIигъур мэкъумэш продукцэм хуозэ. 2012 гъэм мэкъумэш хозяйствэм сом мелард 29-рэ и уасэ продукцэ е абы япэ ита гъэм елъытауэ проценти 104-рэ къилэжьащ. Мэкъумэш IэнатIэм щолажьэ республикэм исхэм я процент 22-рэ хуэдизыр. Абы хэткъым зи уней лъапсэм илэжьыхьыжхэр. Мы IэнатIэм нэхъыбэу щыIэр хозяйствэ мыинхэрщ икIи абыхэм зегъэужьыным гулъытэ хэха хуащI. Абыхэм папщIэ программэ хэхахэр къащтэ икIи ягъэзащIэ. КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къита бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, «Фермеру лэжьэн щIэзыдзэхэм ядэIэпыкъуныр» программэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэу 253-м грантхэр иратащ. Абы и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, республикэм программэм хэтхэм я бжыгъэмкIэ УФ-м япэ увыпIэр, абыхэм хухах бюджет ахъшэм и куэдагъымкIэ (федеральнэ бюджетым и ахъшэу сом мелуан 78,7-рэ) — еплIанэ увыпIэр иIыгъщ. «Унагъуэхэм къыщызэрагъэпэща Iэщ фермэхэм зегъэужьыныр» программэм ипкъ иткIэ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу къыIэрыхьэ ахъшэм и бжыгъэмкIэ (сом мелуани 111,4-рэ) УФ-м и субъекту 63-м ящыщу республикэм етIуанэ увыпIэр, программэм хэтхэм я бжыгъэмкIэ етIуанэ увыпIэр иIыгъщ. МэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэхэм ящыщу 67-м грантхэр къа-хьащ. А псоми къадэкIуэу, нэгъабэ лъандэрэ республикэм щагъэзащIэ агропромышленнэ комплексым щIэгъэхуэбжьауэ зегъэужьынымрэ абы къэралым и дэIэпыкъуныгъэ етынымкIэ концепцэр. Ар зытещIыхьа мурад нэхъыщхьэхэм ящыщщ мэкъумэш хозяйствэм и IэнатIэм хьэрычэтыщIэ Iуэху мыинхэр къызэрыщызэрагъэпэщыр щIэгъэхуэбжьэныр, къуажэм щыIэ социальнэ гугъуехьхэр, абыхэм лэжьапIэншагъэри яхэту, дэгъэкIыныр. Концепцэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, 2020 гъэм ирихьэлIэу лэжьапIэ IэнатIэщIэу мин 50-м щIигъу къызэIуахыну я мурадщ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр аргуэру хэтынущ 2013 гъэм щIышылэм и 18 — 27-хэм Берлин щекIуэкIыну «ЩхъуантIагъэм и тхьэмахуэ» дунейпсо агропромышленнэ выставкэм. Абы республикэм и стендым метр зэбгъузэнатIэ 83-рэ щиIыгъынущ икIи ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ щэнхабзэм къезэгъыу къызэрагъэпэщынущ. Утыку къралъхьэнущ щIыналъэм и агропромышленнэ комплексым и IуэхущIапIэу 11-м къыщIагъэкI продукцэ нэхъыфIхэр: хадэхэкI консервхэр, псы зэмылIэужьыгъуэхэр, фадэхэкIхэр, IэфIыкIэхэр, апхуэдэу, зэрыгурыIуэгъуэщи, мыIэрысэ, помидор къыпачагъащIэхэр. Апхуэдэу хэIущIыIу ящIынущ мы IэнатIэм зегъэужьынымкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ инвестицэ проектхэр. «ХъыбарегъащIэ. Кавказ Ищхъэрэ» хъыбарегъащIэ-аналитикэ журнал №№5-6.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24643.txt" }
Ди къуэш республикэхэм ХуэфащIэ гулъытэ хуащIын щхьэкIэ Адыгей. Сирием щыпсэу адыгэхэр зыIууа гугъуехьхэм жылагъуэм гу лърагъэтэн папщIэ мазаем и 1-м республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ пэкIу щрагъэкIуэкIыну я мурадщ. КъызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Къуэблэ Сергей зэрыжиIамкIэ, пэкIу зэрырагъэкIуэкIынум Мейкъуапэ и мэриер щIышылэм и 21-м щыгъуазэ ящIащ. ЗэкIэ абы жэуап иIэкъым. Мэрием хуагъэхьа дэфтэрым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, пэкIур Лениным и утым щрагъэкIуэкIыну я гугъэщ. ЗыгуэркIэ абыкIэ арэзы мыхъумэ, къыхахыну нэгъуэщI щIыпIэхэри ягъэлъэгъуащ. ПэкIум цIыху 300-м нэблагъэ кърихьэлIэну хуагъэфащэ. Мурад нэхъыщхьэр зауэ щекIуэкI Сирием щыпсэу адыгэхэм я гугъуехьхэм жылагъуэм, Урысей Федерацэм и къэрал властым и органхэм гу лъегъэтэнырщ. Тирасполь щызэIуощIэ Абхъаз. Республикэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министер-ствэм и лIыкIуэхэр лэжьыгъэ IуэхукIэ Приднестровьем кIуащ. Нобэ Тирасполь, Абхъаз Республикэм Приднестровьем щиIэ хэщIапIэм, хьэщIэхэр щрагъэблэгъэнущ. Зэхуэзэр нэ-хъыщхьэу теухуащ я щхьэ хуитыж къэралитIым зэныбжьэгъунымрэ зэдэлэжьэнымрэ теухуа зэгурыIуэныгъэ зэры-зэращIылIэрэ илъэс 20 зэрырикъум. Фигу къэдгъэкIыжынщи, а зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзауэ щытащ 1993 гъэм щIышылэм и 26-м. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24646.txt" }
Нобэ 1755 гъэм Москва къэрал университетыр (МКъУ) къызэIуахащ. Иорданием щокIуэкI зи мычэзу парламент хэхыныгъэхэр. УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Шэру Соня къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, тхакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым тIэунейрэ и лауреат МафIэдз Сэрэбий къызэралъхурэ илъэс 78-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 — 12, жэщым 1 — 3 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24648.txt" }
УнэтIыныгъэщIэр и лъабжьэу Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщI, республикэм и Жылагъуэ палатэм хэт Иуан Петр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм деж щIэныгъэ-технологие зыужьыныгъэмкIэ щыIэ Жылагъуэ советым и япэ зэIущIэр. Иуан Петр къопсалъэ. Советым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ инновацэ политикэр убзыхуныр, абы и лъэныкъуэкIэ законодательствэр езыгъэфIэкIуэну Iуэхугъуэхэр гъэбелджылыныр. КъызэрыхагъэщамкIэ, республикэм и щIэныгъэ-технологие политикэм и унэтIыныгъэм и лъабжьэр гъэтIылъынымкIэ, технопаркхэр, бизнес-инкубаторхэр, инновацэ инфраструктурэм и нэгъуэщI объектхэр къызэгъэпэщынымкIэ икIи я лэжьыгъэр зэтеублэнымкIэ советыщIэр сэбэпышхуэ хъунущ. Зэхыхьэм Iуэху еплъыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыхалъхьащ, ауэ псори зыхуэкIуэжар зы гупсысэщ — гъащIэм удэхъун, хуэфащэу удекIуэкIын папщIэ, экономикэм и дэтхэнэ IэнатIэми унэтIыныгъэщIэ зэретыпхъэрщ, еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэмрэ я зэфIэкIхэр къызэрыгъэсэбэпыпхъэрщ. Урысейр иджыблагъэ ВТО-м хыхьащ. Абы къэрал дэIэпыкъуныгъэр игъэмэщIэнущ, хьэрхуэрыгъэр щIигъэткIиенущ. Мыбдеж зи Iуэху къыщикIынур щыIэ хэкIыпIэхэр фейдэ хэлъу къэзыгъэсэбэпхэмрэ иджырей технологиехэм гъуэгу езытхэмрэщ. ЗэIущIэр щызэхуищIыжым Иуан Петр къигъэлъэгъуащ ди экономикэм нэхъ псынщIэу зиужьынымкIэ, инновацэ лэжьыгъэр щIэхуэбжьэнымкIэ, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ еджапIэхэмрэ я щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм, гъэунэхуныгъэхэм ехъулIэныгъэ нэрылъагъухэр къарикIуэнымкIэ мы Советыр сэбэп хъуну зэрыщыгугъыр. КъБР-м Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24650.txt" }
Ухуэныгъэхэр зэфIокI Кэнжэ къуажэм щаухуэ спорт IуэхущIапIэр хьэзыр ящIащ икIи мыгувэу къызэIуахынущ. Абы щIагъэувэну Iэмэпсымэхэр, техникэр къащэхуащ. Мы лэжьыгъэм сом мелуан 15,5-рэ, компьютерхэм, уэншэкухэм, унэлъащIэхэм, шабзэкIэ зэрыуэ Iэмэпсымэхэм сом мин 550-м нэблагъэ, спортсменхэм я фащэхэм сом мин 300 текIуэдащ. — Зи гугъу тщIы ухуэныгъэм гъэсэныгъэ мыхьэнэ ин иIэнущ икIи шэч къытетхьэркъым Кэнжэ жылагъуэри республикэри зэрыгушхуэн спортсмен куэд мыбы зэрыщагъэсэнум, — жиIащ физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ Налшык къалэ комитетым и унафэщI Бузд Беслъэн. Шэрэдж Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24658.txt" }
Анэдэлъхубзэм теухуа зэIущIэ щхьэпэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмкIэ и къудамэм щIэс студентхэм яIущIащ тхакIуэ цIэрыIуэ, «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм и унафэщI Хьэх Сэфарбий. ЗэIущIэр къызэригъэпэщащ университетым и лэжьакIуэ, профессор Бакъ Зерэ. Абы и пэщIэдзэм тхакIуэр студентхэм еупщIащ адыгэбзэ къудамэр къыщIыхаха щхьэусыгъуэмкIэ. Хэти и гум фIэфIу къыхихат, хэти адэ-анэм къигъэкIуат, къыщIэтIысхьа нэужь дихьэхыжахэри къахэкIащ. Студентхэр зытегузэвыхьыр зыт — еджапIэ нэхъыщхьэр къаухмэ, лэжьапIэ ямыгъуэтынкIэ зэрыхъунурт. Абыхэм ялъагъу диплом зиIэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэ куэд дыдэ лэжьапIэншэу къызэрынэр. Сэфарбий абыхэм яжриIащ и Iуэху еплъыкIэр. — Бзэм ирипсалъэ къудей мыхъуу, абы фIыуэ хэзыщIыкI щIэблэ дыхуэныкъуэщ. АдыгэбзэкIэ тхылъ, газет, журналхэр къыдокI, радиор, телевиденэр мэпсалъэ. Апхуэдэу щыхъукIэ, лэжьапIэ IэнатIи вгъуэтынущ. Иджыпсту фызыхущIэкъупхъэр щIэныгъэ зэвгъэгъуэтынырщ, тхылъ, художественнэ тхыгъэ куэду фызэреджэнырщ. ЕгъэджакIуэм къывбгъэдилъхьэ щIэныгъэм нэхърэ нэхъыбэ фэр-фэру зэвгъэгъуэтыжын, фызрахулIар мыхъуу, фэ езым фи гукъыдэжкIэ къыхэфха тхылъи феджэн хуейщ. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ бзэм, литературэм. Абы теухуауэ студентхэм яIэ гукъеуэми тхакIуэр щагъэгъуэзащ. ЖаIащ, нобэкIэ адыгэбзэм хуэныкъуэ, ар зыгъэлъапIэ цIыхухэр зэрымащIэр, ар нэхъыщIэхэм я мызакъуэу, нэхъыжьхэми я къуаншагъэу къызэралъытэр. Къыхагъэщащ, уеблэмэ адэ-анэ куэдым я бынхэм адыгэбзэр школым щрагъэджын зэрамыдэри, езы бынхэри абы «адыгэбзэжькIэ» зэреджэри. — Мы адыгэбзэжьыр сыту ящIыну, ди сабийхэм я аттестатхэр зэхиутэ фIэкIа, зы цIыкIукIэ сэбэп къахуэхъунукъым. ЕджапIэ нэхъыщхьэ щIэтIысхьэмэ, илъэс закъуэ яджыну аращ. АдэкIэ хуеиххэнукъым. Сыт юристым е экономистым адыгэбзэкIэ ищIэнур?! — апхуэдэ псалъэхэр анэхэм школым зэрыщыжаIэр адыгэбзэм щеджэ студентхэм зэгуэпу яIуэтэжырт. Абы хэкIыпIэу иIэу къилъытэри Хьэхым жиIащ : — Сэ абы и унафэр сщIыуэ щытамэ, зи анэдэлъхубзэр зымыщIэжым къулыкъу естынутэкъым, ар адыгэу, балъкъэру е урысу щрети. Экзамен езгъэтынти, зыщIэр пхызгъэкIынт. Бакъ Зерэ къыхигъэщащ мыпхуэдэ Iуэху зэIумыбзхэр ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм къиIэтыныр зэрыфIэтэмэмыр, сыту жыпIэмэ тхакIуэращ псом япэ бзэм, литературэм игъэпIейтейн хуейр. Студентхэм я псалъэм къыхэщащ зи бзэ зыубыжхэм нэмыплъ зэрыратри. Адыгэбзэ къудамэм щеджэхэм уащыгугъ хъуну къыщIэкIынущ лъэпкъ хабзэр, анэдэлъхубзэр яхъумэфыну. Iуэхур абыхэм щIэныгъэфI етынырщ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24660.txt" }
Налшык, ирефIакIуэ уи Iуэхухэр! ФIыуэ тлъагъу, зыпэтщI щымыIэ ди Налшык къалэ теухуат Лъэпкъ библиотекэм мэкъумэш, техникэ литературэхэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэща зэхыхьэр. «Налшык — дыгъуасэ, нобэ, пщэдей…» фIэщыгъэм къыбжиIэрт абы и блэкIам дриплъэжын, и нобэр къэтпщытэн зэрыхуейр, и къэкIуэнум дызэрыщIэгупсысыпхъэр. Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м Ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ и министрым и къуэдзэ КхъуэIуфэ Иринэ, «Горзеленхоз» муниципальнэ IуэхущIапIэм и инженер нэхъыщхьэ Къэзанш Маринэ, Налшык къалэ архитектурэмрэ ухуэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Нэгъуей Арсен, УФ-м и Архитекторхэм я союзым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Логоватовский Юрий, а зэгухьэныгъэм хэт Асанов Владислав, архитектор, техническэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и ИТФ-м и кафедрэм и доцент Бжьахъуэ Музэриб, техникэ щIэныгъэхэм я кандидат, ИТФ-м и кафедрэм и унафэщI Хъуран Валерэ, лъахэхутэ, журналист Котляров Виктор, Урысейм щIыхь зиIэ и архитектор Макаров Владимир сымэ, нэгъуэщIхэри. КхъуэIуфэ Иринэ псалъэ щратам жиIащ библиотекэм иригъэкIуэкI Iуэхугъуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «ЗгъэщIэгъуащ, си гуапи хъуащ мыпхуэдиз цIыху мыбы къызэрырихьэлIар. Сэ къысщохъу республикэм и къалащхьэм апхуэдэ пщIэ иIэн хуейуэ. ХьэщIэкIэ фIы Налшык и дахагъэр, зэрыщыту къапщтэмэ, и щIыуэпсыр тхъумэныр дэтхэнэми ди къалэнщ. Къыхэгъэщыпхъэщ абы теухуауэ архитекторхэм, ухуакIуэхэм лъэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр», — жиIащ абы. Налшык и тхыдэм, абы зэрызиужьам тепсэлъыхьащ Нэгъуей Арсен. — Къалэр ебгъэфIэкIуэн и пэ къихуэу, дауи, абы къикIуа гъуэгуанэр зэбгъэщIэн хуейщ, — жеIэ Арсен. — Налшык и къежьапIэм лъабжьэ куу иIэщ. 1818 гъэм абы «быдапIэ» статусыр иIащ, куэд дэмыкIыу «слобода» къыфIащащ, 1920 гъэхэм пщIондэ а цIэр зэрихьащ. Уэрам нэхъыщхьэхэу яубзыхуат Воронцовскэр (иджырей Къэбэрдей уэрамыр), Елизаветинскэр (Нэхущым и цIэр зезыхьэ уэрамыр), Ермоловыр (Суворовым ейр), Степнойр (Лениным и уэрамыр), нэгъуэщIхэри. XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Налшык япэу автоном щIыналъэм, итIанэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къалащхьэ хъуащ. Хэку зауэшхуэм и зэманым, ди жагъуэ зэрыхъущи, унэ хьэлэмэт куэд зэтракъутащ, ахэр зэфIагъэувэжынуи Iэмал щыIакъым, ауэ нобэ, зэрыфлъагъущи, унэщIэхэр яухуэжащ. А IуэхумкIэ нэхъыбэу лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIар 1970 гъэхэрщ. Абы щыгъуэрщ архитекторхэм нэхъ жыджэру псэупIэхэр, промышленнэ ухуэныгъэхэр ящIу щыщIадзар. Архитектор пажэхэщ Асанов Владислав, Макаров Владимир сымэ. Ухуэныгъэм ехьэлIауэ проект гъэщIэгъуэн куэд зэхэзылъхьа Логоватовский Юрий фIыщIэ яхуищIащ къалэм и къэкIуэныр къызыфIэIуэхуу зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм. «Налшык псэхупIэ щыбгъуэт къалэщ. ЦIыхухэр фыкъыхузоджэ ар фIыуэ флъагъуну, и дахагъэр фхъумэну» — мы псалъэхэмкIэ Юрий зэIущIэм щIэс псоми захуигъэзащ. КъинэмыщIу, абы жиIащ мы гъэм и фокIадэ мазэм Кавказ Ищхъэрэ форум зэрекIуэкIынур, абы теухуа унафэр иджыблагъэ КИФЩI-м и Архитекторхэм я советым зэриубзыхуар. Абы архитекторхэм Iэмал къаритынущ зэпсэлъэну, зэчэнджэщыну, я лэжьыгъэхэм зыщагъэгъуэзэну. Тхыдэм и фэеплъ унэхэр, щIыпIэхэр Налшык и мащIэ зэрыхъуар, ар ухэзыгъаплъэ Iуэхуу зэрыщытыр къыхигъэщащ Макаров Владимир. Республикэм и къалащхьэм и блэкIам, абы зэрызиужьам теухуауэ упщIэ зыбжанэ Котляров Виктор студентхэм яритащ икIи зи жэуап нэхъыфIу къилъытам тхылъ тыгъэ хуищIащ. — Махуэ къэс дызрикIуэ уэрамхэм, унэ дызыблэкIхэм дыхуэмысакъмэ, кIуэдыжынущ. Аращ къащыщIар пасэрей псэупIэхэм. Сэ фIы дыдэу слъагъухэм ящыщщ Къэбэрдей уэрамыр, нэхъ ипэIуэхэм ар уэрам нэхъыщхьэхэм ящыщащ — макъамэр къыщыIурт, цIыхухэм я зекIуапIэт… Сыт атIэ иджы абы къыщыщIыр?! Ар иужьрей илъэсхэм гулъытэншэу къэнащ, унэхэм лей къатехьащ. Апхуэдэхэщ «Победа» кинотеатрри Къэрал филормонием и унэри. Къалэм и тхыдэм дривгъэплъэж, хуэфащэ пщIэ хуэдывгъэщI, псом хуэмыдэу абы къыхузоджэ щIалэгъуалэр, — жиIащ Виктор. Бжьахъуэ Музэриб къыхигъэщащ ягъэхьэзыр IэщIагъэлIхэр (ахитекторхэр, ухуакIуэхэр) щIыналъэ, урысейпсо зэхьэзэхуэхэм жыджэру зэрыхэтыр, абыхэм ехъулIэныгъэхэр къызэрыщахьыр. Зэхыхьэм и кIэухым КхъуэIуфэ Иринэ фIыщIэ яхуищIащ ар къызэзыгъэпэщахэм. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24662.txt" }
Паульс и кIэрахъуэр Мазаем и 2-м ди дзэхэр Сталинград и деж щытекIуащ Фельдмаршалу, 6-нэ армэм и унафэщIу щытар СС-м и офицерхэм ехъуэнырт, Чеховым еджэрт, совет зауэлIхэм щытхъурт. «АиФ»-р топсэлъыхь СССР-м икIыжа иужь Паулюс Фридрих Дрезден щигъэкIуа иужь илъэсхэм. Дрезден къыпэщылъ Оберловинц хьэблэр хэIэтыкIахэм хабжэ. Хьэуар къабзэ дыдэщ, мэзыр гъунэгъущ, псы Iуфэм Iусщ. Сэ къэслъыхъуа унэр трамвай гъуэгум пэжыжьэкъым, ар пщIантIэ зиIэ унэшхуэ къатитIу зэтетщ. Зы цIыхубз щысщ, сабий щыжей гущэр щIиупскIэу. — Къысхуэгъэгъу, мыбдеж фэтэрыр щылъапIэ? — Псори фэтэру ятыркъым. Зейхэм ар Iыхьищу ягуэшащ. Дэтхэнэри зы мазэм еврэ мини 2-рэ 500-рэ и уасэщ. Уэ пщIэуэ къыщIэкIынщ мы унэр нэхъапэм зеяр. Пэжкъэ? ЖысIэнщи, и щIыбми хуэдэу и кIуэцIри щIэращIэщ. Зэгуэр Франкфурт щыщ хьэрычэтыщI гуэр хущIэкъуащ пивэ ефапIэ къыщызэIуихын папщIэ мыр къищэхуну. УасэмкIэ зэгурыIуакъым. Тхьэм и шыкурщ. 1957 гъэм мазаем и 1-м мы унэм щIэлIыхьащ вермахтым и 6-нэ армэм и Iэтащхьэу щыта Паулюс Фридрих. Илъэс 14 и пэкIэ абы езым и штабым и гъусэу гъэру зритат советыдзэм. Нэмыцэ сэлэт мини 100-м нэсым Iэщэр зэрагъэтIылъам ЕтIуанэ дунейпсо зауэр зэридзэкIащ. ИужькIэ сыт хуэдэу щыта фельдмаршалым и гъащIэр? «Урысейхэм зыри ятекIуэнукъым!» … Паулюс Фридрих 1943 — 1945 гъэхэм щаIыгъащ япэ щIыкIэ Красноярск, иужькIэ Суздаль щыIэ лагерхэм. ЩыIащ Ивановэрэ Озерэхэмрэ. 1946 гъэм къыщыщIэдзауэ Сталиным и «хьэщIэу» Томилин щыпсэуащ, дохутыри, пщафIи, адютанти езым и дачэм щиIэжу. 1947 гъэм Паулюс мазитIкIэ зыщригъэIэзащ Кърымым и санаторэхэм ящыщ зым. АрщхьэкIэ СССР-м и властхэм фельдмаршалыр хуит ящIакъым и щхьэгъусэм и кхъащхьэр зригъэлъагъуну, и бынхэм яхуэзэну. Сталиныр лIа иужь Паулюс Iэмал игъуэтащ ГДР-м Iэпхъуэну. 1953 гъэм жэпуэгъуэм и 23-м ар Москва дэкIыжащ. МафIэгур ежьэн и пэкIэ абы жиIащ: «Сэ фэ бийуэ сы-къыфхуэкIуащ, арщхьэкIэ сожьэж фызиныбжьэгъуу». Абы хэщIапIэ ищIащ Дрезден. «Барбаросса» план бзаджэр зэхэзылъхьам абы къыщыпэплъэрт унэшхуэ, IуэхутхьэбзащIэхэр, щхьэхъумэхэр, «Опель Капитан» автомашинэр. Апхуэдэу хуитт Iэщэ зэрихьэну. Паулюс пщIэшхуэ хуащIырт. Ауэ ар ипэжыпIэкIэ гъэрт. — Сэ фельдмаршалым деж сыщылэжьащ 1953 — 1955 гъэхэм, — жеIэж илъэс 82-рэ зи ныбжь Штальский Гертрудэ. — Унэхэр зэрызэлъыIусхым къыдэкIуэу, пощтым сыкъеджэну, Паулюс къыхуэкIуэхэм щэхуу сурэт тесхыну си къалэнт. Пщыхьэщхьэ къэс ШынагъуэншагъэмкIэ министерствэм и офицерым сэ хуэсIуатэрт унэр зейм махуэр сыт хуэдэу игъэкIуами. Телефоным кIэщIэдэIухьырт, псори ятхырт. Я фIэщ хъуртэкъым Паулюс зыкъызэридзэкIыжыну, Урысейм Чеховымрэ Толстойрэ я тхылъхэр, Лениным и лэжьыгъэ псори здрихауэ еджэ пэтми. ХьэщIэхэм щепсалъэм и деж фельдмаршалым куэдрэ хэкъузауэ жиIэрт: «Урысейхэм зыри ятекIуэнукъым!» ГДР-м и щэхурылажьэ IэнатIэхэм я архивхэм ятепщIыхьмэ, Паулюс куэд иригъэблагъэртэкъым. И закъуэмэ нэхъ къищтэрт. ФIэфIыр зыт: кърата кIэрахъуэр игъэкъэбзэнырт. Хэбгъэзыхьмэ, агентхэм ящыщ зым Берлин иIуэ-хуащ фельдмаршалым зиукIыжыну зигъэхьэзыр хуэдэу. Абы жэуап къратыжащ: «Умыгузавэ. Сталинград и деж зыщызимыукIыжакIэ, сыт абы иджы зыщIиукIыжынур?» Илъэс 63-рэ зи ныбжь Паулюс пенсэм тесын идакъым — ар Дрезден и Дзэ-тхыдэ центрым и унафэщIу лэжьащ, ГДР-м и ЦIыхубэ милицэм и школ нэхъыщхьэм лекцэхэм къыщеджащ. Газетхэм я лэжьакIуэхэм щепсалъэкIэ, ар хуабжьу техъущIыхьырт КъухьэпIэ Германием. Псом хуэмыдэу зэгуэзыгъэпыр СС-м и офицер языныкъуэхэр ФРГ-м и къулыкъущIапIэхэм зэрыщылажьэрт. «Эсэсхэр лIыукIхэщ, — жиIащ абы зэгуэр. — Сэ сызауэлI къызэрыгуэкIщ. Эсэсхэм ящыщ гуэри и гъусэу сэ псыунэ сыкIуэнукъым». «Сабийхэри хьэзырт дафыщIыну» — Паулюс дыхьэшхыу плъагъунутэкъым. Ар гушыIэм хуэхейт — къеIуэтэж илъэс 76-рэ зи ныбжь, ГДР-м и ЦIыхубэ милицэм и школ нэхъыщхьэм щеджа Браунланд Вильгельм. — Зэпымыууэ сымаджэт, гъэрыпIэм щитам нэмыцэ генералхэм тыгъэ къыхуащIа башыр сыт щыгъуи и щIэгъэкъуэнт. Апхуэдэу щытми, Паулюс хуабжьу нэмысыфIэт. Сталинград теухуа сыт хуэдэ упщIэми жэуап къритырт. Фельдмаршалым жиIэрт «нэмыцэхэм совет зауэлIхэм я лIыхъужьыгъэм и мызакъуэу, дэтхэнэ унэри зыхъума къалэдэсхэм я хахуагъэр зыхуэдизыр къалъытакъым. Сабийхэри хьэзырт дафыщIыну». Языныкъуэхэм деж Паулюс мэзым кIуэрт, хущхъуэгъуэ зыхэлъ удзхэр зэхуихьэсыну. Ауэ абдежми щэхурылажьэхэр щыкIэлъыплъырт, зыпилэжынкIэ гузавэхэрти. Зы лъэныкъуэкIэ абыхэм я фIэщ хъуртэкъым Гитлер и ныбжьэгъу пэжу щытам и Iуэху еплъыкIэхэр ихъуэжауэ. НэгъуэщI зы лъэныкъуэкIи дзыхь хуащIыртэкъым. ФРГ-м къикIыурэ лъагъунлъагъу къыхуэкIуэ ипхъу Ольгэ щэхурылажьэхэр зэмыпычу кIэлъыплъырт. Вермахтым и капитану щытат икIи Сталинград зауэм хэтат и къуэ Эрнст-Александр. Абы хуабжьу и жагъуэт и адэр «урысхэм зэрадэлажьэр». 1956 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм щегъэжьауэ Паулюс и унэм къыщIэкIакъым: ар хьэлъэу сымаджэт, фельдмаршалым къыдэбзыжыртэкъым и щIэлъэныкъуэр. Ар 1957 гъэм мазаем и 1-м, езым и армэм Сталинград и деж зыщита махуэм, дунейм ехыжащ. Паулюс и хьэдэр ФРГ-м яшэри, Баден-Баден щыщIалъхьащ, и щхьэгъусэм и кхъащхьэм бгъурылъу. И къуэ Эрнст-Александр 1976 гъэм зиукIыжащ, и акъылыр зэIыхьэри. Ипхъу Ольгэ гъащIэшхуэ къигъэщIащ — ар дунейм щехыжар 2003 гъэрщ. ГъэщIэгъуэнщ… … Сэ сыбгъэдэтщ Паулюс Фридрих иужьу щыпсэуа унэм. А цIыхум гъэру зитауэ щытащ «ИугъащIэ Гитлер!» жиIэри. АрщхьэкIэ илъэсипщI нэхъ дэмыкIыу Германием кIуэжащ социализмэм и телъхьэу. ФРГ-м иджы щагъэхъыбар ар «яIуэнтIа» хуэдэу. Ауэ ар пэжкъым! Паулюс пщIэ хуищIа къудейщ езым и бийуэ щытам. ХХ лIэщIыгъуэм и зэхэуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зым Паулюс щыхамыгъэщIамэ, мы зэманым дунейр нэгъуэщIу щытынкIэ хъунт, зыкIи ди фIыгъуэ хэмылъу. Фельдмаршалым и Iуэху еплъыкIэхэм захъуэжащ. Ауэ ар СССР-ми ГДР-ми я фIэщ щыхъуртэкъым. Пэжщ, лIэным куэд имыIэжу щеупщIам Паулюс жиIэгъащ: «Сэ Сталинград и цIыхухэм селъэIуну сыхуейт къысхуагъэгъуну». Зотов Георгий. «Аргументы и факты»
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24668.txt" }
Сирие Сирием и президент Асад Башар пэкIум къыщыпсэлъащ, а Iуэхугъуэр зэуэ телевиденэмкIи къагъэлъагъуэу. Президентым зэрыжиIамкIэ, «Iуэхур здэщыIэр къэрал унафэщIхэмрэ абыхэм къапэщIэувахэмрэ я дежкъым, атIэ сирие цIыхубэмрэ абы и бийхэмрэщ». Асад Башар и телъхьэхэр мащIэкъым, абыхэми къалъытэ, нэгъуэщIхэр къахэмыIэбэу, Сирием и цIыхухэр зэпсэлъэн, зэгурыIуэн хуейуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24670.txt" }
Адыгей щIыналъэм
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24675.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен: Дэ дызэрыгушхуэн ехъулIэныгъэхэр экономикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыдиIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм гулъытэ хэха хуащI республикэм инвестицэ щытыкIэ тэмэм къыщызэгъэпэщыным. Абыхэм иужьрей илъэс зыбжанэм къриубыдэу яхузэфIэкIащ инвестицэ проектыщIэ куэд щIыналъэм щызэтрагъэувэн. Къапщтэмэ, мэкъумэш IэнатIэм проектыщIэу 20-м щIигъу щагъэзащIэ. БлэкIа гъэм къэхъуа Iуэху нэхъыщхьэхэмрэ республикэм зэман гъунэгъум зэрызиужьынумрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр щытопсэлъыхь «Интерфакс-Юг» агентствэм ирита интервьюм. — Мыгувэу иух 2012 гъэм къэхъуа Iуэхухэм ящыщу сыт хуэдэхэм щIыналъэм и дежкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ яIэу къэплъытэрэ? Абыхэм ящыщу сыт хуэдэхэр сэбэп къыфхуэхъуа, сыт хуэдэхэм дерс къыхэфха, сыт хуэдэхэр щIыналъэм и дежкIэ гъэунэхуныгъэу щыта? — Республикэм и политикэ, щэнхабзэ гъащIэм къыщыхъуа Iуэху нэхъыщхьэ дыдэу къэлъытапхъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм зэрыхыхьэрэ илъэс 455-рэ зэрырикъур зэрагъэлъэпIар, «Кавказ ДжэгукIэхэр» щIыналъэ зэхуаку фестивалыр зэрырагъэкIуэкIар. Ди иджырей тхыдэм и къежьапIэр дигу къэзыгъэкIыж пIалъэ гъуэзэджэм ди дежкIэ мыхьэнэ хэха иIэщ. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэ и пэкIэ ди адэжьхэм къыхаха гъуэгур зэрытэмэмыр зэманым къигъэлъэгъуащ, икIи абы дэ Iэмал къыдитащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр экономикэ, щIэныгъэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ субъекту Урысейм хэтынымкIэ икIи демократиер зи лъабжьэ иджырей къэрал ухуэным жыджэру хэлэжьыхьынымкIэ. Урысей къэралыгъуэм езыр фIэфIу зэрыхыхьам и махуэшхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым сыт щыгъуи щагъэлъапIэ зэкъуэтыныгъэр и лъабжьэу. Апхуэдэу къыхэзгъэщхьэхукIыну сыхуейт «Кавказ ДжэгукIэхэр» фестивалыр икъукIэ дахэу зэрекIуэкIар. Абы и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэр спортымрэ щэнхабзэмрэ яхуэгъэзами, мы Iуэхум политикэ мыхьэнэи иIэщ, сыту жыпIэмэ тэмакъкIыхьыгъэм, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я зэдэлэжьэныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ ирегъэфIакIуэ. Псори дызэрыщыгъуазэщи, а проектыр къэралым и Правительствэм къыддиIыгъащ икIи ар идогъэкIуэкI УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ — УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Хлопонин Александр и нэIэм щIэту. Мыхьэнэ хэха иIэщ «Кавказ ДжэгукIэхэр» Сочэ къалэм 2014 гъэм щекIуэкIыну щIымахуэ Олимп зэхьэзэхуэм и щэнхабзэ программэм щыщ Iыхьэу зэрыщытым. Иужьрей илъэситIым къриубыдэу «Кавказ ДжэгукIэхэр» Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI спорт, щэнхабзэ Iуэху нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ хъуащ. А фестивалым къарурэ зэфIэкIкIэ зэрыщызэпеуэм къыдэкIуэу, абы къыхощ мамыру псэунымкIэ, зэгъунэгъуфIу щытынымкIэ, лъэпкъхэм яку зэдэлэжьэныгъэрэ зэкъуэшыгъэрэ дэлъынымкIэ ди лъэпкъхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хьэл нэхъыфIхэр. Мы гъэм «Кавказ ДжэгукIэхэр» япэ дыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыщедгъэблэгъам, дэ дыхущIэкъуащ округым и щIыналъэ псоми я лIыкIуэхэм дызыхуэдэ бысымымрэ гуапагъэмрэ нэсу зэрызыхедгъэщIэным. ХьэщIэхэм дэ ди спорт, щэнхабзэ IуэхущIапIэ нэхъыфI дыдэхэр яхузэIутхащ. «Кавказ ДжэгукIэхэр» щекIуэкIыну зэманым ирихьэлIэу нэгъэсауэ зэрагъэпэщыжри, Сабий стадионыр, щIэуэ яухуа спорт комплексыщIэр къызэIуахащ, фестивалыр къыщызэIуаха икIи щызэхуащIыжа Гъэмахуэ театрыр, спорт программэм и Iыхьэ нэхъыщхьэр щекIуэкIа «Спартак» стадионыр къагъэщIэрэщIэжащ. Псоми гъэщIэгъуэн ящыхъуащ Налшык къалэм ЗэгурыIуэныгъэм и утым музыкэ къыщеуэу, уэздыгъэ зэмыфэгъухэр къыщыщIэнэу щащIа псыутхыр. Абы ди къалэр игъэщIэрэщIащ икIи спорт зэпеуэр игъэдэхащ. Абы къыдэкIуэу, дэ дрогушхуэ республикэм и лIыкIуэхэр «Кавказ ДжэгукIэхэм» етIуанэу зэрыщытекIуам. Сэ шэч къытесхьэркъым а фестивалыр Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэм ис псоми гукъинэ зэрахуэхъуам. Спортым теухуа псалъэмакъым хиубыдэу къэзгъэлъэгъуэну сыхуейщ ди спортсмен нэхъ лъэщхэм дэ сыт щыгъуи дызэрагъэгушхуэр икIи дызэрагъэгуфIэр. БлэкIа илъэсри апхуэдэу щытащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зи гугъу сщIыр гъэмахуэ Олимп джэгукIэхэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу къэралым и цIэкIэ ди щIалэхэри Лондон щыIащ. ЗэрыфщIэжщи, Урысейм и лIыкIуэхэм ящыщу абы япэ дыщэ медалыр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студент Галстян Арсен. ХХХ Олимпиадэм жэз медалхэр къыщахьащ бэнакIуэхэу Махуэ Билалрэ Курамагомедов Зауррэ. Республикэм политикэ гъащIэм мыхьэнэшхуэ зиIэ и лъэхъэнэу уващ иджыблагъэ правительствэр къызэрагъэщIэрэщIэжар. Зэманым къигъэувхэм, щIыналъэм зегъэужьыным пыщIа къалэн мытыншхэм ятещIыхьауэ дэ зи IэщIагъэм хуэIэкIуэлъакIуэ унафэщI гупыщIэ зэщIэдгъэуIуащ. Сэ сыщогугъ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дежкIэ иджыпсту Iуэхушхуэу щыт экономикэ зыужьыныгъэр абы къызэригъэпэщыфыну. Ди жагъуэ зэрыхъущи, тхуэмыгъэзэкIуэжын хэщIыныгъэхэри диIащ. ЗэкIэ дэ ехъулIэныгъэ нэрылъагъухэр диIэкъым щэхурылажьэ террористхэм ебэнынымкIэ. Экстремистхэм цIыху къызэрыгуэкIхэр, хабзэхъумэ лэжьакIуэхэр яIэщIэкIуэдащ. Апхуэдэ хэщIыныгъэхэр гум къемыуэу къанэркъым. Апхуэдэ гуауэхэм дэ драхулIэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ IэмалыщIэхэр къэтлъыхъуэну, цIыхухэм, псом япэу щIалэгъуалэм, дазэрыдэлажьэр едгъэфIэкIуэну. — Илъэсым къриубыдэу экономикэм и дэтхэнэ IэнатIэхэм фи щIыналъэм нэхъ зыщаужьа? — Шэч хэмылъу, дэ экономикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, псом япэу мэкъумэш IэнатIэм, щыдиIэ ехъулIэныгъэхэм дригушхуэ хъунущ. Дунейм щыIэ технологие нэхъыфI дыдэхэр щIэгъэкъуэн къищIауэ, республикэм ерыскъы лIэужьыгъуэ куэдкIэ езым и щхьэр епIыж икIи экологие и лъэныкъуэкIэ дагъуэ зыхуомыщIын шхыныгъуэхэр урысей рынокым щищэн хузэфIэкIынущ. Иджырей технологиехэр къагъэсэбэпурэ ягъэкIа мыIэрысэхэр Москва щекIуэкIа выставкэм щыдгъэлъэгъуащ икIи ахэр УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым игу ирихьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр мэкъумэш республикэщ. Республикэм и валовэ щIыналъэ продуктым и процент 32-рэ хуэдизыр мэкъумэш IэнатIэм къыщалэжь. ЦIыхухэм я уней щIапIэхэм илэжьыхьхэм нэмыщI, а IэнатIэм пэрытщ республикэм и экономикэм щылажьэхэм я процент 22-м нэблагъэр. Мы IэнатIэм егъэщIылIа хозяйствэ мыинхэм зегъэужьыным дэ хэхауэ догугъу. МэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэхэр нэхъыбэ щIыным, мэкъумэшхэкIыу къалэжьымрэ ящэмрэ хэгъэхъуэным, республикэм и къуажэхэм дэсхэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ нэгъабэ лъандэрэ ди деж щагъэзащIэ фермеру лэжьэн щIэзыдзэхэм ядэIэпыкъунымкIэ, унагъуэ Iэщ фермэхэм зегъэужьынымкIэ программэ хэхахэм. Уи гуапэ мыхъупIэ иIэкъым а программэхэр гъэзэщIэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралым и щIыналъэ пашэхэм зэращыщыр. «Фермеру лэжьэн щIэзыдзэхэм ядэIэпыкъун» программэ хэхам ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэу 253-м грантхэр къратащ икIи абыхэм я бжыгъэмкIэ ди республикэм къэралым япэ увыпIэр, а программэм пэкIуэу къаутIыпщ федеральнэ бюджет ахъшэмкIэ (сом мелуан 78,7-рэ) еплIанэ увыпIэр иIыгъщ. «Унагъуэхэм я Iэщ фермэхэм зегъэужьыныр» программэм ипкъ иткIэ, федеральнэ бюджетым къыхэкIыу къаутIыпщ ахъшэм и куэдагъымкIэ (сом мелуани 111,4-рэ) УФ-м и субъект 67-м ящыщу республикэм етIуанэ увыпIэр, а программэм хэтхэм я бжыгъэмкIи (унагъуэ Iэщ фермэу 67-м грантхэр къратащ) етIуанэ увыпIэр иIыгъщ. Дызэрыт илъэсым щегъэжьауэ гъэзэщIэн щIадзэ агропромышленнэ комплексым зыубгъуауэ зегъэужьынымрэ абы къэралым и дэIэпыкъуныгъэ етынымкIэ Концепцэр. Ар зыхуэунэтIар къуажэдэсхэр мэкъумэш IэнатIэм пыщIа хьэрычэт лэжьыгъэ мыиным къыхэшэнырщ, къуажэхэм щыIэ социальнэ гугъуехьхэр, абыхэм лэжьапIэншагъэри яхэту, дэгъэкIынырщ. Концепцэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, 2012 гъэм ирихьэлIэу къуажэхэм лэжьапIэ IэнатIэщIэу мин 50-м щIигъу къыщызэIуахынущ. — 2012 гъэм кърикIуахэм япкъ иткIэ, фи щIыналъэм сыт хуэдэ Iуэху нэхъыщхьэхэр къехъулIауэ къэплъытэрэ? ЩIыналъэм и Правительствэмрэ муниципальнэ щIыналъэхэмрэ я лэжьэкIэр дауэ къыпщыхъурэ? — Иужьрей илъэсищым социально-экономикэ зыужьыныгъэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыпашэхэм ящыщу къокIуэкI. Къэтщтэнщ, псалъэм папщIэ, щытыкIэр нэхъ IупщIу къэзыгъэлъагъуэ Iуэхур — валовэ щIыналъэ продуктым и куэдагъыр. КъызэднэкI илъэсым ар сом мелард 94,2-м нэсынущ, илъэс кIуам елъытауэ сом меларди 9-м нэблагъэкIэ нэхъыбэ хъунущ. 2013 гъэм а бжыгъэр дэ сом меларди 105,3-м нэдгъэблэгъэнущ. Мэкъумэшым, промышленностым, социальнэ IэнатIэм зэпIэзэрыту заужь. 2012 гъэм предприятэ псоми товару ящам, лэжьыгъэрэ Iуэхутхьэбзэу зэфIагъэ- кIам я уасэхэр сом мелард 39-рэ мелуан 779,5-рэ хуэ- диз хъууэ къабжащ, 2011 гъэм елъытауэ «щIым щIэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэхыныр», «сырьем елэжьыныр», «электрокъару, газ, псы къэлэжьынымрэ тегуэшэнымрэ» лэжьыгъэ лIэужьыгъуэхэм хиубыдэу зэфIагъэкIахэр проценти 113-м нэсащ. ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, мэкъумэш IэнатIэм про- дукцэу сом мелард 30-рэ мелуан 580-рэ и уасэ е 2011 гъэм елъытауэ проценти 104-рэ къилэжьащ. КъагъэщIэрэщIэжри, дыгъэгъазэм официальнэу ирагъэжьэжащ Бахъсэн ГЭС-р. ЗэкIэ къызэралъытэмкIэ, хэкIыпIэ псоми я хьэкъкIэ республикэм и мылъку нэхъыщхьэм инвестицэу сом мелард 19-рэ мелуан 300-рэ къыщагъэсэбэпынущ, зекIуэ уасэхэм ятещIыхьауэ 2011 гъэм еплъытмэ, ар проценти 101,5-рэ мэхъу. Ухуэныгъэ IэнатIэм щызэфIагъэкIащ сом меларди 6-рэ мелуан 520,9-рэ и уасэ лэжьыгъэ е зекIуэ уасэхэм тету 2011 гъэм елъытауэ проценти 104,8-рэ. Ахъшэм и хэкIыпIэ псоми я хьэкъкIэ хьэзыр ящIащ псэупIэ унэу метр зэбгъузэнатIэ мин 276,2-рэ е гъэ кIуам елъытауэ проценти 101,2-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым налогыу, налог ахъшэм щымыщу къыIэрыхьэм проценти 6-кIэ хэхъуащ икIи илъэсым и кIэм ирихьэлIэу ар сом меларди 7-рэ мелуан 858,5-рэ хъууэ къалъытащ. Лэжьэгъуэ ныбжьым итхэм ящыщу официальнэу лэжьапIэншэу щыIэхэр зы илъэсым къриубыдэу проценти 2,7-м щегъэжьауэ проценти 2,1-м нэсу ягъэмэщIащ. Демографие щытыкIэр нэрылъагъуу нэхъыфI хъуащ, гъэ кIуам елъытауэ къалъхухэр проценти 10,2-кIэ нэхъыбэ, лIэхэр проценти 3,1-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. ФIыуэ хэхъуащ республикэм исхэм ипэжыпIэкIэ къаIэрыхьэр. КъызэралъытэмкIэ, республикэм ику иту щата улахуэр сом 16135-рэ мэхъу, ар нэгъабэ елъытауэ процент 25-кIэ нэхъыбэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьыныгъэмкIэ илъэситхум тещIыхьа программэм ипкъ иткIэ, республикэм щIэуэ гъуэгухэр, лъэмыжхэр, школхэр, сабий сад-хэр, спорт комплексхэр щащIащ, а лэжьыгъэм адэкIи пащэ. Зэрыщыту къапщтэмэ, илъэсым кърикIуахэр Iейкъым, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэмкIэ зыужьыныгъэ щыIэщ, абы къыхэкIыу республикэм и Правительствэмрэ муниципалитетхэмрэ я лэжьэкIэм арэзы утехъуэ хъунущ. Апхуэдэу щыт пэтми, властым и органхэм дяпэкIэ къалэн нэхъ иныжхэр къапэщытщ. Республикэм и экономикэм нэхъри нэхъ псынщIэжу зиужьын хуейщ. Абы къыхэкIыу, зэманым къигъэув къалэнхэр къэтлъытэри, унафэщI гупыщIэ зэщIэдгъэуIуащ. абыхэм къапэщытщ нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, абы и къэкIуэнур езыгъэфIэкIуэфыну экономикэ зыужьыныгъэщIэ къызэрагъэпэщыну. — Дызыхыхьэ 2013 гъэм щIыналъэм щагъэзэщIэну къалэн нэхъыщхьэхэм, проектхэм тхутепсэлъыхьыт. — Псори дызэрыщыгъуазэщи, Урысейм и Правительствэм къищтащ Кавказ Ищхъэрэм зэман кIыхьым тещIыхьауэ зегъэужьынымкIэ программэ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьынымкIэ къэрал программэм зэрыхэтынум и фIыгъэкIэ, 2025 гъэм нэсыху егъэджэныгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ, инфраструктурэ IуэхухэмкIэ проектхэр гъэзэщIэным Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелард 295-м щIигъу тригъэкIуэдэнущ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар икъукIэ сэбэп хъунущ республикэм исхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ. Жылагъуэхэм иджырей гъуэгухэр, социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэм я екIуэлIапIэхэр къыщызэрагъэпэщын папщIэ, республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм щыIэ уэрамхэмрэ гъуэгухэмрэ къагъэщIэрэщIэжынущ. 2013 гъэм абы гъуэгу фондым и ахъшэу сом мелуани 180-рэ хуэдиз хухах. Мы зэманым зэхалъхьэ 2013 — 2016 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэр егъэфIэкIуэнымкIэ республикэ программэ хэхар. Ар гъэзэщIэным хиубыдэу гъуэгу нэхъ зэкIэлъымыкIуэхэм я процент 70-м щIигъур зэрагъэпэщыжынущ икIи абыхэм нэхъ шынагъуэншэу щызекIуэу щIадзэнущ. IэнатIэ зыбжанэм щагъэзащIэ куэдкIэ узыщыгугъын инвестицэ проектхэр. «Севкаврентген-Д», «Этана» заводхэр, гъэш, лы къэлэжьыным пыщIа Iэщ гъэхъупIэхэр яухуэ. Жыг хадэщIэхэр, жызум хадэхэр хасэ. Турист проектхэр пхыгъэкIынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ унафэ зыбжанэ къащтащ. Абыхэм ящыщу нэхъыбэ дыдэкIэ узыщыгугъынур дунейпсо мардэхэм къезэгъ «Iуащхьэмахуэ-Безенги» бгы-лыжэ курортыр къызэгъэпэщыным теухуарщ. Бгы-лыжэ курортым зегъэужьыным хуэунэтIа зэгурыIуэныгъэхэр «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» зэгухьэныгъэм, Кавказ Ищхъэрэм зегъэужьынымкIэ корпорацэм етщIылIащ. Апхуэдэ лэжьыгъэр дэ адэкIи нэхъри щIэгъэхуэбжьауэ едгъэкIуэкIынущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24677.txt" }
Нобэ 1895 гъэм Антарктидэм и Iуфэм япэ дыдэу щитIысыкIащ шведхэр. 1938 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къищтауэ щытащ «Рабочэхэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ я Дзэ Плъыжьыр илъэс 20 ирокъу» медалыр къыдэгъэкIыным теухуауэ. 2003 гъэм къызэрагъэпэщащ Урысейм и Лъэпкъ филармоние оркестрыр. ЩIышылэм и 24 — 27-хэм Венэ (Австрие) щекIуэкIынущ газым теухуа 6-нэ европей конференцыр. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор БетIрожь Руслан и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Щэмырзэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 — 10, жэщым 4 — 6 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24680.txt" }
Ди къуэш республикэхэм КIуэ пэтми зеужь Къэрэшей-Шэрджэс. Унагъуэ Iэщ фермэхэм зеугъэужьынымкIэ 2012 — 2014 гъэхэм тещIыхьа республикэ программэр ехъулIэныгъэ яIэу КъШР-м щыпхагъэкI. КъызэднэкIа илъэсым а программэм цIыху 350-рэ къызэщIиубыдати, 125-м дэтхэнэми сом мин 358-рэ яIэрыхьащ. Грантхэр зылъысахэм Iэщышхуэхэр къащэхуащ, бэкхъ ящIащ, цIыху зыщыплI нэхъ мыхъуми, лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщахэри яхэтщ. Мэкъумэш IэнатIэмкIэ министерствэм мы Iуэхум адэкIи зригъэужьынущ. ПсынщIэу икIи тыншу Республикэм и къалащхьэ Черкесск къыщызэрагъэпэщынущ къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щызэфIахыну центр. Псори зэхэту апхуэдэ IуэхущIапIэ 12 районхэмрэ къалэхэмрэ къыщызэIуахынущ. ЦIыхухэм дэфтэрхэр зэхуахьэсу IуэхущIапIэ куэд зэщIагъэхьэным къыпыкIынущ икIи щыпсэу щIыпIэм Iуэхур куэдкIэ нэхъ тыншу щызэфIэкIынущ, мы центрхэм лэжьэн щIадзэмэ. Хэкупсэу ягъасэ Адыгей. Дыгъуасэ Мейкъуапэ лэжьэн щыщIидзащ дзэм ираджэн и пэкIэ щIэблэр щагъэхьэзыр еджапIэ-гъэсапIэ IуэхущIапIэм. Ар къызэригъэпэщащ Урысей ДОСААФ-м и щIыналъэ къудамэу республикэм щыIэм. Ар къызэIуахащ Адыгейр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIагъэкIыжрэ илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу. ДОСААФ-м и къудамэм и унафэщI Щоджэн Роман зэрыжиIамкIэ, мурад нэхъыщхьэр армэм къулыкъу щыщIэным и пщIэр къэIэтынырщ, дзэм ираджэну щIалэгъуалэр сыт и лъэныкъуэкIи абы хуэгъэхьэзырынырщ. Курсантхэр щрагъэджэну Мейкъуапэ дэт техникэ школыр зыхуеину псомкIи къызэгъэпэщащ. ЦIыхуищэхэр къигъэпцIащ Адыгейм щаубыдащ Интернетыр къигъэсэбэпу цIыхуищэхэм мылъку къаIэщIэзыгъэкIа гъэпцIакIуэр. Мейкъуапэдэсым электроннэу Iуэхугъуэхэр зэфIэзых биржэхэм хуэкIуэ сайт къызэIуихри, мылъку хэхыпIэ ищIащ икIи дзыхь къыхуэзыщIа цIыхухэм къагъэхьа ахъшэр езым зыкIэщIиупщIащ. Илъэс 25-рэ зи ныбжь бзаджащIэр нэхъапэми суд тращIыхьауэ щытащ щIэпхъаджагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрилэжьам къыхэкIыу. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24682.txt" }
Сыжажэ Хьэсэн «ЩхъуантIагъэм и тхьэмахуэр» игу ирохь Берлин щекIуэкIа «ЩхъуантIагъэм и тхьэмахуэ» гъэлъэгъуэныгъэм-жармыкIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэхэм хэту щыIащ Бахъсэн районым и администрацэм и Iэтащхьэ Сыжажэ Хьэсэн. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округми и цIэкIэ гъэлъэгъуэныгъэм кIуа гупым сазэрыхэтар районым и мэкъумэш IэнатIэм и дежкIэ сэбэп хъуну си гугъэщ. КъыхэзгъэщхьэхукIыну сыхуейщ а зэхыхьэшхуэр икъукIэ зэпэщу зэрыщытар. Абы хиубыдэу ягъэлъэгъуащ агропромышленнэ IэнатIэм и продукцэ нэхъыфIхэр, мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным ехьэлIа инвестицэ проект хьэлэмэтхэр, апхуэдэу симпозиум, семинар гъэщIэгъуэнхэр ирагъэкIуэкIащ. «ЩхъуантIагъэм и тхьэмахуэ-2013» дунейпсо зэхыхьэшхуэм щекIуэкIа лэжьыгъэм продукцэ къэзылэжьхэмрэ щэхуакIуэхэмрэ дуней псом щызэпащIэну ущыгугъ хъунущ», — къытхуиIуэтэжащ абы. Бахъсэн районым и мэкъумэшыщIэхэм я дежкIэ а псоми мыхьэнэшхуэ яIэщ. Мыбы иджыпсту къэралым щыяпэ агротехнопарк щаухуэ, иджырей жыг хадэхэр щыхасэ, дунейм щыпэрыт технологиехэр мэкъумэш IэнатIэм къызэрыщагъэсэбэпыным зыхуащI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24684.txt" }
Сабийхэр ягъэгуфIэ ИлъэсыщIэм ехьэлIа дауэдапщэхэм къыпызыщэт мэрем кIуам КъБКъУ-м щекIуэкIа псапащIэ Iуэхур. «Урысейм и юристхэм я ассоциацэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм хэт юрист щIалэгъуалэм я советым и жэрдэмкIэ шэджагъуашхэ ирагъэщIащ Нартан къуажэм дэт школ-интернатым щIэс сабий зеиншэхэм. Сабийхэр ягъэгуфIэн папщIэ къызэрагъэпэща зэIущIэ гуапэм кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар, абы и комитетым и Iэтащхьэ Хьэщхъуэжь Татьянэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Риммэ, КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий, Налшык къалэм и ЗАГС-м и унафэщI Шэру Валентинэ, Сабийм и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ КъБР-м уполномоченнэу щыIэ Агъуз Светланэ сымэ, нэгъуэщIхэри. ЗэIущIэр къыщызэIуахым, утыку къихьащ КъБКъУ-м дзюдом щыхуагъасэ и школым Нартан интернатым щыщу къекIуалIэ щIалэ цIыкIухэр. Спорт дакъикъэм ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ, апхуэдэуи абыхэм я тренерхэу Джэданэхэ Залымрэ Алимрэ жаIащ иджы щыщIэдзауэ ехъулIэныгъэхэр зэраIэр, республикэ зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэ къызэрыщахьыр. «Урысейм и юристхэм я ассоциацэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм хэт юрист щIалэгъуалэм я советым и унафэщI Шыпш Аслъэн къэрал къулыкъущIэхэм фIыщIэ яхуищIащ я жэрдэмыр къызэрыдаIыгъам папщIэ, апхуэдэуи псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ зи мылъкукIэ, гукъэкIкIэ закъыщIэзыгъэкъуахэм. Чеченов Ануаррэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ сабийхэм ехъуэхъуащ икIи жаIащ а цIыкIухэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ ялъэкI къызэрамыгъэнэнур, балигъ гъащIэм щыхыхьэкIэ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэр зэрамыгъэщIэхъунури къыхагъэщащ. — Нартан дэт школ-интернатым щIэсхэм КъБКъУ-м и школым дзюдом зэрыщызыхуагъасэр си гуапэ хъуащ, — жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — Мыбы щеджэхэм щIэныгъэ, гъэсэныгъэ, цIыху хэтыкIэ хъарзынэ щIах. ЗэрыцIыкIурэ ар щапхъэ зыхуэхъу ныбжьыщIэхэр университетым щIэтIысхьэу еджэну сащогугъ. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну хьэзырщ Къарэмырзэ Барэсбии. Къапщтэмэ, Сирием щыпсэу, гузэвэгъуэ хэхуа ди лъэпкъэгъухэм я бынхэр мы гъэм университетым къыщIэдгъэтIысхьэнымкIэ сэбэпышхуэ къытхуэхъуащ унафэщIхэр. Апхуэдэ дыдэу фэ фщыщу еджакIуэ къакIуэ дэтхэнэми гуапэу зэрыIущIэнур си фIэщ мэхъу. Сэхъурокъуэ Хьэутий ныбжьыщIэхэм щепсалъэм жиIащ щIэблэр гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувэну, хэкупсэу къэхъуну зэращыгугъыр, ахэр ямыгъэщIэхъуну къыхуриджащ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ. Щоджэн Риммэ цIыкIухэм ехъуэхъуащ ИлъэсыщIэм къыздихь гуфIэгъуэмрэ гуапагъэмрэ зэи щымыщIэну, дэнэкIэ ягъазэми, я Iуэхур дахэу, ехъулIэныгъэ яIэу псэуну. ИлъэсыщIэ дауэдапщэхэм щынэхъыщхьэр саугъэтхэр аракъэ?! IэфIыкIэ хэплъыхьахэмкIэ узэда Iэнэм къыпэрашри, цIыкIухэм иратащ саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэр. ДзюдомкIэ школым къекIуалIэ щIалэ цIыкIухэм — спорт хьэпшыпхэр, хъыджэбз цIыкIухэм — модельер цIэрыIуэ Сэралъп Мадинэ яхуигъэхьэзыра тыгъэхэр иратыжащ, хьэрычэтыщIэ Шыбзыхъуэ Мухьэмэд и саугъэтхэри дэщIыгъуу. Зэхыхьэр ягъэдэхащ ди республикэм и уэрэджыIакIуэхэу Бэрэгъун Марьянэ, ЦокIыл Азэмэт, Беслъэней Ренатэ, Хьэмырзэ Азэмэт, нэгъуэщIхэми. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24686.txt" }
ТВ нэтынхэр 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, щIышылэм и 28 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 7.30 «Узэгугъур къогугъуж» (адыгэбзэкIэ) 8.00 Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и щIалэгъуалэ гуп къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Тембот Анзор 8.20 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 «Ретроспектива». КIыщокъуэ Алим и «Вид с белой горы» телефильмыр 19.25 Мультфильм 19.45 «И дуней». Юрист Кучуков Исхьэкъ теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) 20.15 «ХьэщIэщ» (адыгэбзэкIэ) 20.45 «Си лъахэ». Тэтэртуп азэн джапIэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.05 «Скульптор насыпыфIэ». Мамоновэ Светланэ (12+) 21.25 «ХьэщIэм папщIэ шэнтжьей». ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Петр Гъубж, щIышылэм и 29 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «ГукъэкIыжхэр». Композитор Османов Нихьэт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 «Дыщэ пхъуантэ» (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.05 «Унагъуэ». Батырхэ я унагъуэр. Налшык къалэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 8.35 «Автограф». ПащIэ Алим 18.00 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». Къэбэрдей-Балъкъэр музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэхэу ХьэхъупащIэ Амырхъанрэ Къуэдзокъуэ Алимрэ зыхэт концерт 19.25 Мультфильм 19.50 Мечукаев Азрэт теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) 20.25 «ГъащIэ гъуэгуанэ». КъБР-м и цIыхубэ артист Думэныщ Iэулэдин (адыгэбзэкIэ) (16+) 21.10 «Тайм-аут». Спорт программэ (12+) 21.25 «Зэманымрэ цIыхумрэ». «Сябры» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и тхьэмадэ Сидорук Павел (16+) Бэрэжьей, щIышылэм и 30 7.00 Мультфильм 7.20 «Си къуажэ». Балъкъэр Ипщэ къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.00 «Си гъащIэр си уэрэдщ». КъБР-м и цIыхубэ артист Сэхъу Хьэсэн и творческэ пшыхь. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (16+) 8.50 «Тайм-аут». Спорт программэ 18.00 «Бахъсэн сонетхэр». УсакIуэ Мокаев Магомед зыхэт (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 18.30 «Гухэлъ макъамэхэр». «Мелодия» пшынауэ ансамблыр 19.25 Мультфильм 19.40 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.15 «Адыгэм и дуней гъэлъэгъуэкIэ». Адыгейм щыщ Бидэнокъуэ Мэлычхъан и сурэтгъэлъагъуэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.45 «Узыншагъэ». Тэрч куей сымаджэщыр (адыгэбзэкIэ) (16+) 21.15 «Япэ балетмейстер». Дашу Хьэшыр (16+) 21.45 «Зи чэзу псалъэмакъ». Махуэку, щIышылэм и 31 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 Пушкин Александр. «Сказка о Попе и работнике его Балде». Телепостановкэ (балъкъэрыбзэкIэ) 7.35 «Си гъащIэр си уэрэдщ». КъБР-м и цIыхубэ артист Сэхъу Хьэсэн и творческэ пшыхь. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (16+) 8.25 «ФIы щIэн». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ балъкъэр къэрал драмэ театрым и режиссер нэхъыщхьэ Атмурзаев Магомед 18.00 Мультфильм (6+) 18.10 «Лъэужь». Адыгэ узэщIакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Тамбий Пагуэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.25 «Хэку зауэшхуэм и ветеран Лобанов Борис (12+) 19.25 Мультфильм (6+) 19.30 «ЦIыху щэджащэ». КъБКъУ-м и педагогикэ факультетым и декан Анаев Марат (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 19.55 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.25 «КъэкIуэнур зейхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.50 Классикэ макъамэм и концерт. Дунейпсо, республикэ зэпеуэхэм щытекIуа Къэзан Александр 21.20 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан Мэрем, мазаем и 1 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Эльбрус» къэфакIуэ гупым я концерт 8.35 «Адыгэ шхыныгъуэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 «ГуащIэрыпсэухэм я уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.35 «ЕгъэджакIуэ» Коммодов Геннадий 19.25 Мультфильм 19.50 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) 20.20 «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ». Композитор Тхьэбысым Умар (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.55 «КъБР-м и Парламентым». 21.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Щэбэт, мазаем и 2 7.00 Мультфильм (6+) 7.30 «Си Кязим». ТхакIуэ Шаваев Хьэсэн зыхэт нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.55 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». КъБР-м и цIыхубэ артист Мэремыкъуэ Хъусен (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.25 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 17.50 Мультфильм 18. 15 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 18.35 «Мен таулу къызма». Мамаевэ ФатIимэ и концерт. Япэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ) 19.05 «Псыпэхэш». Щауэжь Елмырзэ къызэралъхурэ илъэси 115-рэ ирокъу (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.35 «Елмэсхъан». Франджым щIыхь зиIэ и легионым и командор Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ 20.20 «Тщыгъупщакъым». Сталинград зауэр зэриухрэ илъэс 70 ирокъу 21.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, мазаем и 3 7.00 Мультфильм (6+) 7.05 «Миналдан». ТхакIуэ Шаваевэ Миналдан и IэдакъэщIэкIхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.35 « ФIым телэжьэн». ПащIэ Еленэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.05 «КъызыхуигъэщIар». Полицэм и IэщIагъэлI нэхъыфIхэр къыхэхынымкIэ урысейпсо зэпеуэм щытекIуа Тезадэ Марианнэ 8.25 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.50 Мультфильм 17.00 Ретроспектива. «Здравствуй, туристская Мекка» фильмыр 17.30 КъБКъУ. Махуэшхуэ концерт 18.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ». Иджырей къэрэшей-балъкъэрыбзэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа «стIол хъурей» (16+) 19.00 «Мен таулу къызма». Мамаевэ ФатIимэ и концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ) 19.30 « Кхъужьеибэ». ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и спектакль (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, щIышылэм и 28 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын. 21.15 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр. Гъубж, щIышылэм и 29 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын. 9.30 «Макъамэ пощт». 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «Литературэм и лъахэ» программэр. 21.10 «Зэманым и лъэужь» программэр. Бэрэжьей, щIышылэм и 30 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «IэпщIэлъапщIэ». ГъукIэ, Урысейм и цIыхубэ мастер Бачиев Хьэмзэт (балъкъэрыбзэкIэ). Махуэку, щIышылэм и 31 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «Нобэ япщэфIахэр». 9.30 «Макъамэ пощт». 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «Адыгэ Iуэху». Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм теухуауэ. 21.10 «ЦIыхумрэ зэманымрэ». Жангуланов Ахия. Мэрем, мазаем и 1 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр. 20.40 «ВОЯЖ» программэр. Щэбэт, мазаем и 2 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 10.05 «Нобэ япщэфIахэр». 10.35 «Макъамэ пощт». Тхьэмахуэ, мазаем и 3 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр». 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. КъБР-м и радио Блыщхьэ, щIышылэм и 28 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 13.25 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар». 13.45 — 14.00 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 16. 25 «Гум и къеуэкIэ». 16.45 — 17.00 «Макъ». Жылагъуэ-политикэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). Гъубж, щIышылэм и 29 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «ГъащIэ гъуэгуанэ». 13.25 «ЦIыхумрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 13.40 — 14.00 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 16.25 «Кавказым и симфоние». 16.45 — 17.00 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). Бэрэжьей, щIышылэм и 30 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Зи чэзу псалъэмакъ». 13.25 «Ди зэманыр». 13.45 — 14.00 «Лъэпкъ проектхэр -илъэсым нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 16.25 — «Зэпсэлъэгъухэр». 16.45 — 17.00 «Джэрпэджэж». ЩIалэгъуалэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). Махуэку, щIышылэм и 31 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «И чэзу дыдэщ». 13.25 «ЦIыхухэм яхуэсакъыу» (адыгэбзэкIэ). 13.40 — 14.00 «ЩIалэгъуэ» (адыгэбзэкIэ). 16.25 «Мэкъумэш хъыбархэр». 16.45 — 17.00 «Iуэхум и щытыкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). Мэрем, мазаем и 1 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр. 13.25 «Псоми папщIэ эфир» (адыгэбзэкIэ). 13.45 — 14.00 «Макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 16.25 «Гъуазджэм и щIыналъэ». 16.45 — 17.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ». Диныр зи фIэщ хъухэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). Щэбэт, мазаем и 2 10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъ». 12.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» (адыгэбзэкIэ). 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ». Тхьэмахуэ, мазаем и 3 10.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». 10.25 — 11.00 «Эрирей» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10 «ХьэщIэщ» (адыгэбзэкIэ). 12.25 — 13.00 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24696.txt" }
Сталинград зауэр зэриухрэ илъэс 70 ирокъу
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24699.txt" }
Хъамсинэ и тыгъэ Аращ Къэхъун къуажэ дэт курыт школ №2-р пэщIэдзэ еджапIэу къызэрызэIуахрэ — илъэс 80, курыт школ зэрыхъурэ илъэс 35-рэ щрикъум ирихьэлIэу тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Шыбзыхъуэ Хъамсинэ къыдигъэкIа тхылъым зэреджэр. Школым, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм цIыху гъащIэм щиIэ мыхьэнэм, нэхъыщхьэжращи, егъэ- джакIуэ IэщIагъэм жылагъуэм къыхуихь сэбэпынагъым теухуа тхыгъэ кIэщIкIэ и IэдакъэщIэкIыр къытхузеIуех Хъамсинэ. Илъэс 80 и пэкIэ, Совет властым и унафэкIэ Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ еджапIэхэр къыщызэIуахыу щыхуежьам, къызэрагъэпэщауэ щытащ Къэхъун школри. А лъэхъэнэм къуажэм япэ дыдэу къагъэкIуа егъэджакIуэм, унащхьэчэзууэ еджакIуэхэр къызэрыхишам щегъэжьауэ гъэщIэгъуэн куэд итщ тхылъым. Хъамсинэ зэхуихьэса тхыгъэхэмрэ зыхэплъа архив дэфтэрхэмрэ къигъэсэбэпурэ, школым и блэкIа жыжьэм ириплъэжащ икIи и тхыдэр нэсу зэфIигъэувэжащ. ЦIыхур и сабиигъуэм къыщожьэ, дэтхэнэми балигъ гъащIэм хуич лъэбакъуэм къежьапIэ хуэхъур пэщIэдзэ еджапIэрщ. Абдежым щегъэжьауэ егъэжакIуэхэр псэемыблэжу я лэжьыгъэм зэрыпэрытам, школ унафэщIу щытахэр, щIэса еджакIуэхэм я бжыгъэр, езы школым зэманым зэрызыдиужьам, нэгъуэщIхэми теухуа хъыбархэм гъэщIэгъуэну укъо-джэ. ЕджапIэм и фIагъри, щекIуэкI лэжьыгъэм и инагъри къызэрыпщIэр ныбжьыщIэхэм я ехъулIэныгъэрщ. Абы хухэха напэкIуэцIхэм къыщыхьащ курыт школ №2-м щIэсахэр зыхэта зэпеуэхэр, олимпиадэхэр… Район, республикэ зэхьэзэхуэхэм нэмыщI, мыбы и гъэсэнхэр хэтащ 1-нэ каналымкIэ екIуэкI «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» теленэтыным икIи япэ увыпIэр къыщихьри, МГИМО-м щIэтIысхьауэ щытащ Фырэ Алим, зэпеуэм пашэныгъэ къызэрыщихьам щхьэкIэ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и стипендиат хъуауэ щытащ Шыбзыхъуэ Альберт, апхуэдэуи нэгъуэщI урысейпсо зэпеуэхэм зи зэфIэкI щызыгъэлъэгъуа, япэ увыпIэр къыщызыхьа егъэджакIуэхэм я цIэ-унэцIэхэр итщ. Иджырей зэманым декIуу еджапIэр къызэрыгъуэгурыкIуэм теухуа тхыгъэм щызэпкърыхащ абы щылажьэ гупым зыхуагъэувыж къалэнхэмрэ къуажэ щIэблэм я пащхьэ щахь жэуаплыныгъэмрэ нэсу зэрызыхащIэр, унагъуэхэмрэ школымрэ зэрызэдэлажьэр, нэгъуэщIхэри. АдэкIэ дыкъыщоджэ зэман зэхуэмыдэхэм школ унафэщIу щытахэм я гъащIэмрэ я гуащIэмрэ теухуа тхыгъэ кIэщIхэм. ЕджапIэм и къалэн нэ-хъыщхьэр щIэныгъэ ябгъэдэлъу, жэуаплыныгъэ яхэлъу, къызыхэкIам хуэпэжу ныбжьыщIэхэр балигъ гъащIэм хэгъэувэнырщ. А псоми я къежьапIэ хъур сабийр школым зэрыщеджэрщ, абы къыщигъэлъагъуэ щэнырщ. Тхылъым адэкIэ къыпызыщэр сыт и лъэныкъуэкIи еджакIуэхэм къахэжаныкIыу еджапIэр дыщэ, дыжьын медалкIэ къэзыухахэрщ. Абыхэм къакIэлъокIуэ я щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ къагъэсэбэпу республикэр, къэралыр ефIэ-кIуэным хуэлажьэ, курыт школыр зэрыгушхуэ и гъэсэну щытахэр. Ахэр иджы зи цIэр фIыкIэ жаIэ дохутырщ, юристщ, егъэджакIуэщ, ухуакIуэщ, щIэныгъэлIщ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэшхуэхэр щызыIэрызыгъэхьа IэщIагъэлI цIэрыIуэхэщ. Сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр щызэкIэлъыхьа Iыхьэр и блэкIар нэгум къыщIэзыгъэувэщ. Абы щыболъагъу курыт еджапIэм пщIантIэм, унэм и нобэрей теплъэри, илъэс 80 и пэкIэ иIари; а лъэхъэнэм лэжьа гупымрэ нобэрей егъэджакIуэхэмрэ, илъэс зэхуэмыдэхэм школым къыщIигъэкIа классхэм я сурэтхэр, еджапIэм щекIуэ- кIа зэпеуэхэм, зэIущIэхэм, пшыхьхэм, махуэшхуэхэм щытраха сурэтхэр, нэ- гъуэщIхэри. А псоми гупсэхуу узэрыриплъэжыр зи фIыгъэр, дауи, тхылъым елэжьарщ. Шыбзыхъуэ Хъамсинэ ХьэтIифI и пхъур къыщалъхуари къыщыхъуари Къэхъун къуажэрщ. Курыт еджапIэ нэужьым КъБКъУ-м тхыдэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьэри, етхуанэ курсым нэсауэ, тхыдэмкIэ егъэджакIуэ зэрахуримыкъум къыхэкIкIэ, университетыр къимыух щIыкIэ Къэхъун дэт курыт школ №2-м ягъэкIуауэ щытащ. Абы лъандэрэ псэемыблэжу хуолажьэ къыщыхъуа и жылэм къыщIэхъуэ щIэблэр гъуэгу пэж тегъэувэным. ИкIи зыми хуэмыдэжу къохъулIэ, сыту жыпIэмэ, Хъамсинэ и еджакIуэхэр республикэ зэхьэзэхуэ куэдым пашэ щохъу, абы и нэIэ щIэту къэзыуххэр Кавказ Ищхъэрэм, Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфIхэм къанэ щымыIэу щIотIысхьэ. Егъэджэныгъэм къыдэкIуэу лэжьыгъэ куэд иригъэкIуэкIыу къогъуэгурыкIуэ Шыбзыхъуэр. 1989 — 2005 гъэхэм Аруан районым тхыдэмкIэ и егъэджакIуэхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щытащ, ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэр щыхагъахъуэ институтым и кафедрэм и методисту лэжьащ. 2009 гъэм и кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIащ, щIэныгъэ лэжьыгъэ зыбжанэ къытрыригъэдзащ, тхылъ къыдигъэкIащ. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкIа «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» зэпеуэм япэ дыдэу щытекIуахэм ящыщщ Хъамсинэ. И къару емыблэжу, и IэнатIэм пэрыт бзылъхугъэм къыхуагъэфэщащ ЕгъэджэныгъэмкIэ Аруан район IуэхущIапIэм, КъБР-м Егъэ-джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм я щIыхь тхылъхэр, КъБР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъ, 2003 гъэм абы къыфIащащ «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр, 2007 гъэм «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр къыхуагъэфэщащ, апхуэдэуи иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэмрэ зыхэта зэпеуэхэмрэ къапэкIуа медалхэр, щIыхь тхылъхэр и куэдщ. Шыбзыхъуэ Хъамсинэ и цIэр иратхащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и ЩIыхь тхылъым. Хъамсинэ къуажэдэсым иджыблагъэ тыгъэ яхуищIащ и гуащIэрэ къарукIэ къыдигъэкIа мы тхылъыр. Ар дэтхэнэ унагъуэм дежкIи, Къэхъун дэт курыт школ №2-м щеджам дежкIи уасэ зимыIэ, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэ лъэмыжу щытынущ, къыдэкIуэтей щIэблэми гъуазэ яхуэхъунущ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24704.txt" }
ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа Высоцкий Владимир Куэдым фIыуэ ялъэгъуа артист, уэрэджыIакIуэ, усакIуэ гъуэзэ-джэ Высоцкий Владимир къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу. Влади Маринэ и гъусэу. Высоцкий Владимир 1938 гъэм щIышылэм и 25-м Москва къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым ар МХАТ-м и студием и актер къудамэм ще-джащ. Пушкин Александр и цIэр зезыхьэ драмэ театрым, миниатюрэхэм я театр Москва щыIэм 1960-1964 гъэхэм щылэжьауэ Драмэмрэ комедиемкIэ и театрым кIуащ икIи 1980 гъэ пщIондэ абы щылэжьащ. «Антимиры», «Берегите ваши лица», «Десять дней, которые потрясли мир», «Павшие и живые», «Жизнь Галилея», «Пугачев», «Вишневый сад», «Преступление и наказание», нэгъуэщI спектаклхэми хэтащ. Высоцкэм и лэжьыгъэ нэхъыщхьэ дыдэу къалъытар Шекспир Уильям и «Гамлет» спектаклым щигъэзэщIа ролырщ. Югославием, Франджым, Польшэм я къэрал саугъэтхэр къызыхуагъэфэща а спектаклым Владимир 317-рэ щыджэгуащ. Артистым театр роль 20 игъэзэщIащ, радиоспектаклу 8-м, кинофильму 30-м нэблагъэм щыджэгуащ. Высоцкэм спектакль зэмылIэужьыгъуэхэм уэрэд щыжиIэ щхьэкIэ, уэрэджыIакIуэу утыку щихьар 1965 гъэрщ. Япэ щIыкIэ и лэжьэгъу актерхэм я гъусэу, иужькIэ и закъуэу иригъэжьащ. 1967 гъэм Ленинград и «Восток» клубым япэ дыдэу концерт щитащ. А гъэ дыдэм къыдэ-кIащ Высоцкэм уэрэд щыжиIэ «Вертикаль» фильмыр, артистым ехъулIэныгъэ ин къыхуэзыхьар. Абы щыщIэдзауэ концерт итыну ирагъэблагъэ хъуащ институтхэм, заводхэм, клубхэм. Владимир зыхэта фильмхэм ящыщщ «Хозяин тайги», «Плохой хороший человек», «Место встречи изменить нельзя», «Маленькие трагедии», нэгъуэщIхэри. «Я родом из детства», «Опасные гастроли», «Война под крышами», «Сыновья уходят в бой», «Ветер надежды», нэгъуэщI куэдми щыIу уэрэдхэр Высоцкэращ зытхар. Абы и уэрэдхэр зытет пластинкэр 1968 гъэм япэу дунейм къытехьащ. 1977 гъэм «Макъамэ» фирмэм альбомитI хъууэ къыдигъэкIащ «Алиса в стране чудес» зыфIища дискоспектаклыр. Франджым дунейм къыщытехьащ Владимир и уэрэдхэр зытет дискищ. Абы концерт щитащ Урысейм и къалэхэм, Болгарием, Венгрием, Франджым, Канадэм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм. И иужьрей концертыр Москва областым хыхьэ Калининград къалэм (иджы Королев жыхуэтIэм) 1980 гъэм щекIуэкIащ. Высоцкий Владимир итха усэ 600-м щIигъум и зэхуэдитIыр уэрэд хъуащ. «Из дорожного дневника» зыфIища и усэр хагъэхьащ 1975 гъэм къыдэкIа «Усыгъэм и махуэ» сборникым. 1980 гъэм дунейм ехыжащ икIи Москва щыщIалъхьащ. Высоцкий Владимир цIыхубэм я гум IэфIу къинащ. Абы и уэрэдхэр нобэми куэдым фIыуэ ялъагъу. Шемякин Михаил дэщIыгъуу. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24707.txt" }
ХадэхэкIхэр гъэкIыным тещIыхьа проектхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым нэрылъагъу къещI социально-экономикэ зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр тегушхуауэ зэрыпхигъэкIыр Илъэс зыбжанэкIэ щымыIауэ щIыналъэм тезыгъэзэжа хьэщIэхэм зэакъылэгъуу къыхагъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэхъуэкIыныгъэ инхэр къызэрыщыхъуар. БгъэщIэгъуэну абы зыри хэлъкъым — КъБР-м псынщIэу зеужь, социально-экономикэ зыужьыныгъэм и IэнатIэ нэхъыщхьэ псори япэкIэ егъэкIуатэ икIи Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщ куэдымкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыпашэхэм яхэту къокIуэкI. Заужьу щIадзащ И нэхъыбапIэкIэ дотацэм щыгугъыу зэгуэрым щыта Къэбэрдей-Балъкъэрыр езыр зыхэпсэукIын къэзылэжьыжыф щIыналъэ хъууэ хуежьащ. Налогу къыхахыр зэпымыууэ нэхъыбэ мэхъу. 2011 гъэм бюджетым и IэнатIэ псоми налогу, налогхэм ящымыщ ахъшэу сом меларди 8,16-рэ, абы япэ ита илъэсым елъытауэ проценти 6,8-кIэ нэхъыбэ къыхузэщIагъэуIуащ. IэщIагъэлIхэм къыхагъэщ республикэм и зыужьыныгъэр нэхъ наIуэу къэзыгъэлъагъуэ Iуэхури — валовэ щIыналъэ продуктыр зэпымыууэ нэхъыбэ мэхъу. 2010 гъэм елъытауэ абы процент 24-рэ къыхэхъуащ. КъызэрабжамкIэ, 2012 гъэм валовэ щIыналъэ продуктыр сом мелард 94,2-м нос. — Мыбы и лъэныкъуэкIэ сэбэп хъуащ зыр адрейм пыщIауэ Iуэху куэд зэрызэфIагъэкIар, — жеIэ республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. — Экономикэ, социальнэ зыужьыныгъэмкIэ хуабжьу зэпэлъытауэ зэхалъхьа программэхэм я лъабжьэщ инновацэ бгъэдыхьэкIэр, пасэрей гупсысэкIэм къытекIыныр. Апхуэдэу сэбэп хъуащ цIыхухэм я зэфIэкIым зэрыхэхъуари — лэжьакIуэхэм иджы IэщIагъэ лъагэ яIэщ. Къэрал инвестицэ политикэр пхыгъэкIынми гулъытэшхуэ хуащI, абы къыхэкIыу лажьэу щыIэ предприятэхэр къагъэщIэрэщIэжащ, щIэуэ куэд яухуащ. Псалъэм папщIэ, иджырей техникэмрэ технологиехэмкIэ къызэрагъэпэщащ «Алькасар» (жызумым йолэжь, шагъырхэр ещI), «Кристалл-Тэрч» (минеральнэ псы ирегъахъуэ) предприятэхэр. Налшык дэт макарон фабрикэм кIэщIу зэпыупщIа макаронхэр щащI IэнатIэ, Налшык гъэш комбинатым шэ щIэмыхуам къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр щагъэхьэзыр цех къыщызэIуахащ. 2011 гъэм «Тэрчалмаз» компанием УФ-м Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэм къэрал контракт ирищIылIащ иджырей автомат системэхэм къыщагъэсэбэп IэмэпсымэщIэ зэращI технологие зэтегъэувэным теухуауэ. Зэрагъэпэщыжри иджырей техникэ Iэмэпсымэхэр щагъэуващ «Телемеханика», «Кавказкабель» кабель завод» предприятэхэм. «Севкаврентген-Д» заводым иджырей рентген техникэ щащIу щIадзащ, апхуэдэу металлым къыхэщIыкIа пкъыгъуэхэр къыщIэзыгъэкI IэнатIэ щызэтрагъэуващ. «Комплект» вакъэ фабрикэм Италием щыщ «Maingrup» фирмэм кърашри щагъэуващ лъэгущIыхь зэмыфэгъухэр щагъэж линэ. Апхуэдэу лъахъстэным къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр къыщIэзыгъэкI «Кариста» предприятэщIэ лажьэу яутIыпщащ. «Эрпак» предприятэм Италием щыщ «SIPACK» фирмэм и иджырей оборудованнэ щолажьэ. ГъущI-бетон пкъыгъуэхэр къыщIигъэкIыу Налшык дэт заводым лъэс зекIуапIэхэр къызэрыращIыкI иджырей плиткэхэр ща- гъэхьэзыр. Яухуэри лажьэу яутIыпщащ «Джеха» унэлъащIэхэр щащIа заводымрэ щхьэгъубжэхэр щащI «Фенстер-Бау» заводымрэ. Къуажэм папщIэ инвестицэхэр КъБР-м и мэкъумэш IэнатIэм зэпIэзэрыту лажьэу, зиужьу хуежьащ — а IэнатIэм къыщалэжь мэкъумэшхэкIхэр 2010 — 2012 гъэхэм къриубыдэу процент 25-кIэ хэхъуащ. МэкъумэшыщIэхэм къэралым и дэIэпыкъуныгъэу сом меларди 4-рэ мелуан 420-рэ хуаутIыпщащ, абы щыщу сом меларди 3-рэ мелуан 450-р лэжьыгъэ IэнатIэхэм трагъэкIуэдэн, адрей къэнар къуажэм и социальнэ зыужьыныгъэм ехьэлIа Iуэхухэм хухахын папщIэ. Республикэм псори зэхэту сом меларди 10 и уасэу инвестицэ проект 82-рэ щагъэзащIэ. Мыбдеж гулъытэ хэха щыхуащIащ агропромышленнэ комплексым зыщIэзыгъакъуэ банкхэм я кредит политикэр зэгъэуIуным, апхуэдэу мэкъумэш продукцэ къехьэлIэным, хъумэным, абы елэжьыным теухуауэ дуней псом щыIэ технологие нэхъыфIхэр IэнатIэм къыщыгъэсэбэпыным. Аграрнэ промышленностым зегъэужьынымкIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу къыхахащ пхъэщхьэмыщхьэ, жызум, хадэхэкI гъэкIыныр, Iэщ гъэхъуныр. Къэбэрдей-Балъкъэрым егупсысауэ икIи егугъуу щолэжь хозяйствэ инхэмрэ цIыхухэм я уней лъапсэхэмрэ жыг хадэхэр щыгъэкIыным. Республикэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэу езым хурикъуну псори егъэкI. Абы къыдэкIуэу жыгыщIэхэр ящэхун папщIэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми къикIыурэ къокIуэ. Жыг хадэхэр щагъэкIыу Шэджэм районым щыIэ «Аламат» предприятэм куэд мыщIауэ щыщыIам УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Федоров Николай жиIащ жыг хадэхэр гъэкIынымкIэ КъБР-м щыIэ лэжьэкIэр «хэкум щащIа продукцэр рынокым щыпхыгъэкIыным щегъэжьауэ хозяйствэхэм иджырей инфрастуктурэрэ техникэщIэмрэ ирикъуу зэрамыIэм нэсу» агропромышленнэ комплексым щыIэ гугъуехьхэр дагъэкIынымкIэ адрей предприятэхэм щапхъэу къащтэ зэрыхъунур. IэнатIэм адэкIи зегъэужьыным къыгуэхыпIэ зимыIэ и Iыхьэу уващ иджырей пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI хъумапIэхэр ухуэныр. Республикэм псори зэхэту тонн мини 10 зыщIэхуэн апхуэдэ комплексу плIы, жэм 3100-рэ щаIыгъын гъэш коплексу плIы, IэщIэвыщIэу 5100-рэ щагъэшхэн IуэхущIапIэу щы, «Велес Агро» зэгухьэныгъэм и джэдкъаз фабрикэм и япэ Iыхьэр щаухуащ. Республикэр гъуэгу тэмэмым тетщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым инвестицэхэр къыщыгъэсэбэпынымкIэ и щIыналъэ нэхъ удэзыхьэххэм ящыщщ. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Инвестицэ фондым и IуэхукIэ» КъБР-м и Правительствэм и унафэ къыдэ-кIащ, 2012 — 2015 гъэхэм ятещIыхьа «КъБР-м щыIэ инвестицэ щытыкIэр егъэфIэкIуэныр» республикэ программэ хэхар къащтащ, инвестицэ лэжьыгъэм и субъекту щыт IуэхущIапIэу, предприятэу инвестицэ проектхэр щIыналъэм щызыгъэзащIэхэм налогхэмкIэ зэрыхудачых, къаIэрыхьэ хэхъуэм техуэ налогхэр зэрыхуагъэмащIэ хабзэхэр къащтащ. Илъэсищым къриубыдэу КъБР-м щрагъэкIуэкI розницэ сатур товаркIэ тещIыхьауэ процент 30-м нэблагъэкIэ нэхъыбэ хъуащ. 2012 гъэм ар сом мелард 81,98-м нэсауэ къабжащ. Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщу къэралщIыб экономикэ лэжьыгъэм хэтхэм, къызэралъытамкIэ, 2012 гъэм США-м и доллар мелуани 165-рэ, 2010 гъэм елъытауэ хуэдитIкIэ нэхъыбэ, зэблагъэкIащ. КъэралщIыб сату нэхъ зыубгъуауэ здащIхэм ящыщщ Италиер, Тыркур, Германиер, СНГ-м хыхьэ къэралхэм ящыщу — Азербайджаныр, Къэзахъстаныр, Украинэр. — Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ мэкъумэш хозяйствэм и IэнатIэм ехьэлIауэ Италием щызэхалъхьа IэмалыщIэхэр нэхъ тэмэму икIи зыубгъуауэ къэзыгъэсэбэп щIыналъэхэм, — жиIащ Италием и лIыкIуэу Урысейм щыIэ Ланди Антонио. — Экономикэм зэрызиужьым нэхъыщхьэ дыдэу къихь сэбэпынагъыр социальнэ гугъуехьхэр дэгъэкIынымкIэ диIэ Iэмалхэм зэрыхэхъуэрщ, — жеIэ Къанокъуэ Арсен. — Iуэху куэд къыдэхъулIащ: IуэхущIапIэщIэхэр къызэIуахащ, школхэр, щэнхабзэ унэхэр, спорт комплексхэр яухуащ, сымаджэщхэмрэ поликлиникэхэмрэ мылъкурэ техникэкIэ яIэ зэфIэкIым хагъэхъуащ, псы зрижэ бжьамийуэ жьы дыдэ хъуахэр зэрахъуэкIащ, гъуэгухэр, псэупIэ унэхэр зэрагъэпэщыжащ, лэжьапIэншэхэм я бжыгъэм кIэрыхуащ, демографиер йофIэкIуэж. КIэщIу жыпIэмэ, ди зыужьыныгъэм нэрылъагъуу зричащ икIи абы къыхэкIыу республикэм исхэм я псэукIэр нэхъыфI хъуащ. Министрым жеIэ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Федоров Николай: — Мыбы сэ щыслъэгъуа предприятэхэр, абыхэм иджыпсту яухуэхэри яхэту, ипэжыпIэкIэ иджырейщ, технологие нэхъыфI дыдэхэм ятещIыхьащ икIи къэкIуэну зэманым хэзэгъэнущ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэрщ ди къэралым дунейпсо утыкум щиIэ зэфIэкIыр къэзыIэтынур. Къэбэрдей-Балъкъэрыр Дунейпсо сату организацэм къигъэувхэм пэлъэщу зэрылэжьэным хуэхьэзырщ. Я нэхъ мащIэ дыдэр арамэ, абы къэралым исхэр экологие и лъэныкъуэкIэ дагъуэ зимыIэ шхыныгъуэхэмкIэ, языныкъуэ шхын лIэужьыгъуэхэмкIэ — СНГ-м хэт къэралхэр, Европэм и къэралхэр къызэригъэпэщыфынущ. КъБР-м щрагъэкIуэкI Урысей псом зыхуэбгъэдэн щымыIэ лэжьыгъэ куэд. Бжыгъэшхуэщ Агропромышленнэ комплексым и IэнатIэм хиубыдэу КъБР-м щагъэзащIэ псори зэхэту сом меларди 10 зи уасэ инвестицэ проектхэр. КъБР-м щагъэзащIэу щIадзащ пасэу къызыпыкIэ жыг хадэхэр, жызум хадэхэр хэсэнымкIэ, биотехнологиехэр я лъабжьэу помидорымрэ нащэмрэ теплицэхэм щыгъэкIынымкIэ, нэгъуэщI къэралхэм къраш консервхэм я пIэ иувэфын продукцэу къыщIагъэкIым хэгъэхъуэнымкIэ республикэ программэр. 2020 гъэм ирихьэлIэу щIыналъэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэу къыщрахьэлIэр тонн 1 мелуаным нэсынущ. КъБР-м и Парламентым къищта бюджетым ипкъ иткIэ 2013 гъэм республикэ программэ хэхауэ 22-р гъэзэщIэным трагъэкIуадэ ахъшэр нэхъыбэ ящI. Псалъэм папщIэ, унэгъащIэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным хухаха ахъшэм сом мелуан 50, сабийхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным — сом мелуан 92-рэ, цIыхухэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ етыным, административнэ лъэпощхьэпохэр гъэмэщIэным — сом мелуани 194-рэ щIагъуж. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, КъБР-м и Правительствэм и деж къыщызэрагъэпэщащ щIэныгъэ-технологие зыужьыныгъэмкIэ жылагъуэ совет. Абы республикэм щрагъэкIуэкI щIэныгъэ-технологие политикэм мыхьэнэшхуэ зиIэ и унэтIыныгъэхэр иубзыхунущ, технопаркхэр, бизнес-инкубаторхэр, щIэныгъэ-технологие центрхэр, иджырей инфраструктурэм и нэгъуэщI IуэхущIапIэхэр ухуэнымрэ ахэр гъэлэжьэнымкIэ дэIэпыкъуэгъуу щытынущ. «Российская газета» («ЩIыналъэ. Кавказ Ищхъэрэ» къыдэкIыгъуэ хэха), №9, 2013 гъэм щIышылэм и 18-м.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24714.txt" }
Нобэ Москва къэрал университетым и махуэщ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Штаб нэхъыщхьэм и махуэщ Илъэс 95-рэ и пэкIэ (1918 гъэ) Советхэм я III урысейпсо съездым Урысейр Рабочэ, сэлэт, мэкъумэш депутатхэм я советхэм я Республикэу къыщалъытащ. 1919 гъэм Деникин и дзэхэм Налшык къалэр яубыдащ. 1936 гъэм Стахановым и лэжьэкIэм теува гупышхуэ лъакъуэрыгъажэкIэ Налшык къэкIуащ. Сабий усакIуэ Щоджэн Леонид (Аслъэнджэрий) и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу. КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Безыр Чэмал 1939 гъэм къалъхуащ. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор ГъукIэжь Владимир и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу. 1947 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ Щад Азджэрий. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 4 — 5, жэщым 2 — 4 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24716.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Гъатхасэм зыхуащI Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и мэкъуэшыщIэхэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм зыхуагъэхьэзыр. Я техникэр зэрагъэпэщыж, жылапхъэхэр ягъэхьэзыр, щIыгъэпшэрхэр къащэху. КъШР-м и мэкъуэмышыщIэхэм нартыху жылэр гектар мин 24-м, сэхуранымрэ соемрэ гектар мин 15-м трасэну, фошыгъу жэгундэр гектар мини 8-м, кIэртIофыр гектар мини 6-м хагъэзэгъэну я мурадщ. Гъатхасэр щрагъэкIуэкIыну щIыр бжьыхьэм яващ. ЖылапхъэхэмкIэ нэгъабэ елъытауэ хуэди 2,5-кIэ нэхъыбэу къызэгъэпэщащ. ПсэупIэкIэ къызэрагъэпэщ Адыгей. Федеральнэ центрым сом мелуан 75,5-рэ республикэм къыхуиутIыпщащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу я псэупIэхэр ирагъэфэкIуэн папщIэ 2005 гъэм гъатхэпэм и 1-м и ужькIэ учетым увахэм хухахын папщIэ. Абы и фIыгъэкIэ ветеран 88-рэ псэупIэкIэ къызэрагъэпэщыну Iэмал ягъуэтащ. Адыгейм Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2005 гъхэм гъатхэпэм и 1-м и ужькIэ зезыгъэтха ветеран 658-м ящыщу 527-м я псэупIэр ирагъэфIэкIуащ. ЦIыху 43-м хухаха мылъкур мыгувэу къаIэрыхьэнущ. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр псэупIэкIэ къызэгъэпщын лэжьыгъэр Адыгейм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий и нэIэм щIэтщ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24718.txt" }
ЗэфIагъэкIахэр мащIэкъым Налшык щыIэ «Синдикэ» хьэщIэщым дыгъуасэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм щапэщIэтыным, абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжыным хуэунэтIауэ зыуэ щыт къэрал IуэхущIапIэм нэгъабэ зэфIигъэкIахэр щызэхалъхьэжа зэIущIэ. Зэхыхьэм и пэщIэдзэм КъБР-м и Правительствэм и Тхьэмадэм и япэ къуэдзэ, республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмрэ мафIэс шынагъуэншагъэмкIэ и комиссэм и унафэщI Уянаев Казым Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и фIэхъусыр къызэхуэсахэм ярихыжа нэужь, къыхалъхьа Iуэхум теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ УФ-м МафIэс кIэлъыплъыныгъэмкIэ и къэрал инспектор нэхъыщхьэ, генерал-полковник Кириллов Геннадийрэ Урысейм и МЧС-м и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ центрым и унафэщI, къэрал кIуэцIыдзэм и генерал-лейтенант Литюк Николайрэ. Лэжьыгъэм къыхэжаныкIахэм дамыгъэхэр, саугъэт лъапIэхэр, щIыхь тхылъхэр, гуп пашэхэм кубок зэIэпаххэр иратащ. ЗэIущIэм мы гъэм нэхъыщхьэу къапэщытхэр щагъэбелджылащ. ХЬЭЖЫКЪАРЭ Алик. Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24720.txt" }
БакIуу Хъ. И. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр фIэщыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ ЩIэныгъэ лэжьыгъэмкIэ фIыщIэ ин зэриIэм папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр фIэщын БакIуу Хъанджэрий Ильяс и къуэм — къэрал бюджет щIэныгъэ IуэхущIапIэм — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрымрэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ я институтым къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм щIышылэм и 22-м №9-УГ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24723.txt" }
Урысей студентхэм я махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен студентхэм зэрызахуигъазэр Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Урысей студентхэм я махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу. Студент лъэхъэнэр, шэч хэмылъу, гъащIэм и Iыхьэ нэхъыфI дыдэщ, IуэхущIэхэр къыщалъыхъуэ, куэдым щыхуэплъэ, егугъуу щеджэ, щIэныгъэ творчествэм щыхэт, мурад инхэмрэ гугъапIэ лъэщхэмрэ щаубзыху зэ-манщ. Нобэ фэ жэуап хэха къывбгъэдохуэ къэралым и къэкIуэнум, иджырей Урысей зэтегъэувэным хуэунэтIа Iуэхухэр гъэзэщIэным я лъэныкъуэкIэ. Фэ куэдкIэ фэлъытащ ди къэралым дунейпсо утыкум щиубыдыну увыпIэр зыхуэдэр. Абы къыхэкIыу мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыт щыгъуи хуэдэу, студентхэр урысей щIалэгъуалэм и гуп нэхъ пэрыту икIи пашэу зэрыщытым. Сытым дежи фIым фыхуэплъэу, гуапагъэр фи мураду, гъащIэр фIыуэ флъагъуу фыщыт, щIэныгъэ зэвгъэгъуэт, фи зэхэщIыкIымрэ дуней еплъыкIэмрэ зевгъэубгъу. Республикэм и къэрал властым и органхэми езыхэм я деж зыри къыщагъэнэнукъым фи зэфIэкIым, IэщIагъэм, творчествэм зевгъэужьынымкIэ, жылагъуэ Iуэхухэм фи къарур щывгъэлъэгъуэнымкIэ Iэмал тэмэмхэр къызэгъэпэщыным и лъэныкъуэкIэ. Сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, ефIэкIуэныгъэ фиIэну, еджэнымкIэ ехъулIэныгъэщIэхэр къэфхьыну, фи мурад, плъапIэ нэхъыщхьэхэр къывэхъулIэну.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24724.txt" }
Къанокъуэ Арсен: «Экстремизмэм ебэныным республикэм ис псори къыхэшэн хуейщ» Парламентым хэт фракцэхэм я унафэщIхэм Правительствэм и Унэм щадригъэкIуэкIа зэIущIэм апхуэдэу щыжиIащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. Къанокъуэ Арсен къыхигъэщащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэр законхэр гъэхьэзырыным арэзы укъищIу зэрелэжьыр икIи къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ абыхэм лIыкIуэ Iуэхухэри зэрахьэну я пщэ къызэрыдэхуэр. Апхуэдэу абы жиIащ цIыхухэм нэхъ жыджэру зэрадэлэжьапхъэр: «ЦIыхухэм нэхъыбэрэ яIущIэн икIи терроризмэмрэ экстремизмэмрэ я Iэужьхэр къэмыгъэхъуным ехьэлIа Iуэхухэм хэхауэ тепсэлъыхьын хуейщ». Къанокъуэ Арсен къызэрилъытэмкIэ, еджакIуэхэм я адэ-анэм республикэм и унафэщI лэжьакIуэхэр, абыхэм законхэр къыдэзыгъэкIхэри яхэту, щепсалъэ зэIущIэхэр къызэрызэрагъэпэщар цIыхухэм даIыгъащ. Фигу къэдгъэкIыжынщ КъБР-м и Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и школхэм «щIэблэхэм я зэIущIэхэр» зэрыщрагъэкIуэкIыр. ЕджапIэхэм къыщызэрагъэпэщ сабийхэр, абыхэм я адэ-анэр, жылагъуэ лIыкIуэхэр зыхэт дерс зэIухахэр. Абы и фIыгъэкIэ щIалэгъуалэр зыгъэпIейтей Iуэхухэм зэIухауэ щIоупщIэ икIи жэуап убзыхуахэр ягъуэт. «КъулыкъущIэхэр телевизоркIэ къэпсалъэ къудейкIэ зэфIэкIынукъым, ахэр дэтхэнэ школми нэсын, дэтхэнэ еджакIуэми хуэзэн хуейщ», — жеIэ Къанокъуэ Арсен. А жэрдэмыр республикэм исхэм даIыгъащ. «КъБР-м и Iэтащхьэм еупщI» телепрограммэм хэту цIыхухэм Къанокъуэ Арсен жэуапхэр щаритым апхуэдэу жиIащ абы телефонкIэ къепсэлъахэм ящыщ зым. «Куэд мыщIауэ дэ школым драгъэблагъэри адэ-анэхэм я зэIущIэм дашати, хуабжьу сигу ирихьащ абы депутатхэр, жылагъуэ лIыкIуэхэр, дин лэжьакIуэхэр къызэрырихьэлIар. Апхуэдэ зэIущIэхэр еджакIуэхэм хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэнщ», — къыхигъэщхьэхукIащ къэпсэлъам икIи апхуэдэ жэрдэмым папщIэ республикэм и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ. Республикэм и Парламентым хэт фракцэхэм я лIыкIуэхэми къыхагъэщащ апхуэдэ зэIущIэхэм сэбэпынагъ зэраIэр. Депутатхэм къызэралъытэмкIэ, ахэр щIэх щIэхыурэ егъэкIуэкIын, школхэм я мызакъуэу, вузхэми къыщызэгъэпэщын хуейщ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24725.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм ГукъэкIыж ФIы куэд зыщIа цIыху ЦIыху гащIэ къезыхьэлIэ сэ лIыжьыр унафэщI куэдым садэлэжьащ. А псоми зы щхьэкIэ къахощ цIыху Iущу, хьэлэлу, нэмыс хэлъу, фIы куэд ищIэу дунейм тета Сэхъу Къэрэшей. ПсэкIи теплъэкIи цIыху дахэт ар, куэдым хуэIэзэт, гуп хэтыкIэ зыщIэт. Си журналист лэжьыгъэ кIыхьым щыщIэздзэм япэ дыдэ сызрихьэлIахэм, сэбэп къысхуэхъуахэм ящыщщ ар. Дэ пединститутым и адыгэ къудамэм дыщыщIэса зэманым тхакIуэхэм, журналистхэм куэдрэ дахуэзэу, абыхэм чэнджэщ къыдату щытащ. Сэ нэхъ сызыпыщIауэ щыт «Ленин гъуэгу» газетым Сэхъур жэуап зыхь секретару щылажьэрт. Зы тхыгъэ цIыкIу гуэр схьыри газетым и редакцэм сыкIуауэ Къэрэшей сыхуэзащ, си тхыгъэм къеджэри, гупсэхууи къызэпсэлъащ. Ар щхьэтечу, ехьэкI-къехьэкI хэмылъу псалъэрт. И нэ губзыгъитIыр къыстриубыдэри зыкъысхуигъэзащ: — Къэрмокъуэ и къуэ цIыкIу, студентыр зищIысыр сэ сощIэ. Мы къэпхьар газетым теддзэмэ, сом къыпэкIуэнур уэркIэ зэрымылейр гурыIуэгъуэщ, зи щIалэгъуэм и зэманыр зэрылъапIэми сыщыгъуазэщ. Иджы умыукIытэу икIи пэжыр иумыхьэкIыу къызжеIэт ущIэтхэм и щхьэусыгъуэр? — Ахъшэри къызэлеекIыркъым, ауэ аракъым сыщIэтхэр, — жызоIэ. АдэкIэ къыпысщэнуми емыжьэу Къэрэшей аргуэру къызоупщI: — АтIэ сыт? — СщIэркъым ар къызыхэкIыр, ауэ си псэм фIэфIщ сытхэну. — Ар зэрылэжьыгъэ гугъур пщIэрэ? — СщIэ си гугъэщ. Мы къэсхьар зэ стхыри сигу иримыхьыжу аргуэру къистхыкIыжащ. — Мис ар сигу ирохь… «Узэгугъур къогугъуж» жаIэу зэхэпха? — Ар ди дадэ и псалъитIым язщ. — АтIэ, Мухьэмэд, иджы сэ жысIэм къедаIуэ. УэркIэ иджыпсту нэхъыщхьэр мы къэптхар аракъым, еджэнращи, абы егугъу. Къэпхьа тхыгъэми, тIэкIу ухэлэжьыхьыжмэ, тебдзэ хъунущ, — жиIэщ, чэнджэщ щхьэпэ къызитри сыкъиутIыпщыжауэ щытащ абы щыгъуэм. Деджэрт, зэзэмызэ зыгуэрхэр стхыурэ редакцэм схьырти, ахэри къытрадзэрт. Апхуэдэу «Жэмыш» жиIэу си очеркышхуэ традзэри, къысщытхъуауэ щытащ. 1951 гъэм майм и 5-м, Печатым и махуэм ирихьэлIэу, Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъ зрата гупым сахэхуащ. ИужькIи институтыр къэзуха иужь, редакцэм сыщылэжьэну срагъэблэгъащ. Тхэнми мыбзаджэу сыхэзэгъат, ауэ сэ сызэрыгугъам нэхърэ нэхъ гугъуу къыщIэкIащ. Си гъусэу пединститутыр къэзыуха КъуэщIысокъуэ Нурхьэлии нэкIуат редакцэми, игу иримыхьу къыIукIыжат, зы илъэси мылажьэу. ТIуми ди гум темыхуэр зыт: махуэ псом зэбгъэпэщу птхам: «Хъуакъым, кIуэркъым», — жаIэу къытратхэу къыщигъэзэжырт. Къэрэшей къуэдзэу тIу иIэти абы язырат абыкIэ ерыщыр. «Сыт щIэмыхъуар?» — жыпIэмэ, дахэ-дахэу къопсалъэртэкъым. «ЩIэмыхъуар — хъуакъыми аращ», — жиIэрти къыпщыдыхьэшхырт. Ар, дауи, гутехуэгъуейт. Аурэ си дзэр слъыурэ, тхьэмахуэ зэхуакум зэ екIуэкI «летучкэ» жыхуаIэр зэхуэсащ. Абы япэ къыщыпсалъэ хабзэр зэры-Сэхъу Къэрэшейри сщыгъупщэжри, сэ сыкъыщылъэтащ. Къэрэшеи зэ себжьэкъуауэри, ар зи унафэщI секретариатри хьэм езгъэхьри сытIысыжащ. Си ужькIэ езы Сэхъур къэтэджри зыгуэрхэм я щхьэфэ иIэбащ, щабэу, губзыгъэу, шыIэныгъэ хэлъу. ИтIанэ гупым захуигъазэри жиIащ: «Мухьэмэд мы редакцэм къызэрыщIыхьэрэ сэ сыкIэлъоплъри, зы махуэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм хигъахъуэу мэлажьэ». ИтIанэ си дежкIэ зыкъигъазэри къыпищащ: «Умыгузавэ, Мухьэмэд, хъарзынэу ухэзэгъащ. ДызэкIужауи бжы». Абы иужькIэ дэнэ укIуэжынт. Зыри къызгурымыIуэжу сыджэрэзащ. Си щхьэр субыдыжри «шарикхэри» и пIэм хуэмурэ изэгъэжащ. Сэ Къэрэшей куэдрэ сыдэлэжьащ, зэрымыпсэужрэ мызэ-мытIэуи сытетхыхьащ, ауэ а си губжьымрэ езым и дахэмрэ зэи и гугъу сщIатэкъыми, мы тхыгъэ цIыкIури къызрикIуар аращ. Къэрмокъуэ Мухьэмэд. Нэщэнэхэр Пщэдджыжь пшэплъым узэригъэплъэкIкъым Пхъэдакъэжьым и фэр тепхыну фIыкъым. Пщыхьэщхьэ пшэплъыр махуибл уэфIщи, пщэдджыжь пшэплъым узэригъэплъэкIкъым жаIэрт. ПщIантIэ лъагъуэм удз къытекIэну фIыкъым. ПыIэ къэзыщэхуам ехъуэхъуртэкъым, узэхъуэхъур щхьэузрилэ мэхъу жаIэрти. Сабий цIыкIур япэ губгъуэм щыдахкIэ, лъапэ махуэ ирихьэжьэну жаIэрти, мышхэми, и Iыхьэ худахырт. ГушыIэ И ныкъуэр къэгъани, адрейр ихыж ЗэлIзэфызыр хъарзынэу зэдэпсэуурэ илъэс тIощIым нэс дэкIауэ, лIым ефэу къиублат. Ар фызым и гум техуакъым икIи лIым жриIащ: — Алыхь, ефэныр щумыгъэтыжмэ, зы махуэ симысыну, сыкIыжынум! — ИкIыж, — и напIэр хуэдакъым лIым, ауэ укъыщысшам щыгъуэ килограмм 50 фIэкIа ухъуу щытакъым, иджы килограмми 100-м нэбгъэсащи, си деж щызытеплъхьа лыр къэгъанэ, адрейр ихыж. Мы сурэтыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур нэгъабэ накъыгъэ мазэм и 23-м трахащ. Абы и гъусэр абхъаз усакIуэ, журналист цIэрыIуэ Аламие Геннадийщ. Заур псэуну къыхуэнэжар махуэ 44-рэт. Псалъэжьхэр Емызэш и Iуэху къыдохъу Адакъэрэ пэт джэджьейр егъашхэ. Блэжьын бгъуэтмэ, пшхыни бгъуэтынщ. Гуэн нэщI нэхърэ — хадэ нэщI. Дыжэф пцIанэ хъуркъым. Дыщэр дыщэ зыщIыр пщIэнтIэпсщ. Емызэш и Iуэху къыдохъу. Жагъуэу плъагъу Iуэхум гур хуэнэфщ. ЗыщI нэхърэ еплъ нэхъ Iэзэщ. ЖыIэгъуэхэр Фадэ пкIэлъейм кукъу иIэкъым Гугъэм гъащIэр егъэдахэ. Фадэ пкIэлъейм кукъу иIэкъым. ЩыгъкIэ фадэ нэпс къыщIокI. ГъэфIа нэхърэ — гъэса. АкъылкIэ къахьар бзэгукIэ яхьыжащ. Жьыгъэм башыр и къэрэгъулщ. Гугъэр бгъунлъамэ, лъэр щIеуд. ЖыпIэм сыт и мыхьэнэ, зыми зэхимыхмэ. ПцIы иупсурэ къыхуэнэжакъым ныбжьэгъу, иджы зыми ищIыркъым псэлъэгъу. ЩыIэщ къызыхэкIа лъэпкъыр зымыщIэж. Абы дзыхь хуумыщIу блэкI. Хигъахъуэ и гугъэу и гъащIэм, махуэ къэскIэ щIоплъэ стэкан лъащIэм. Яхэтащ и ныбжьэгъухэм хъухукIэ къулей, иджы яхуэзамэ, и пэр дрегъэзей. Пхъум уегъэув, къуэм къыпхуегъэув. ЩIыхьыр къызэрыбзэукъым, атIэ къызэрыпхьщ. НэгъуэщI лъэпкъым еубзэурэ, адыгэбзэр щыгъупщэжащ. Хабзэр бзыпхъэкъым, щыдэжын ящIыркъым. Зэщхьэгъусэхэм я псэр зы чысэм щимыхуи щыIэщ. МыхъумыщIэ пщIам ухэщыпыхьыжкIэ мыхьэнэ иIэкъым. Фадэм имыкъутэф «быдапIэ» щыIэкъым. ЖызыIэ нэхърэ — жыIэщIэ. Япэм уеплъым плъыжь хъууэ щытар, иджы мэуфIыцI. И кIэныр къикIат, ауэ и кIэнтIыIур хилъхьащ. Къардэн Мухьэмэд. Лъэпкъ шхыныгъуэхэр Нартыху хьэлIамэ Нартыху хьэжыгъэр яухуэнщIри тепщэчышхуэм иракIутэ, бэлагъкIэ зэIащIэурэ, шыгъу зыхэдза псы къэкъуалъэкIэ япщ. ХупцIынэм и щхьэр трапIэ, дакъикъэ 15 — 20-кIэ ягъэупщIыIу. ИтIанэ абы гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIа щIапщэри, и щхьэр тепIауэ сыхьэти 10 — 12-кIэ щIыIапIэм щагъэт, хупцIынэм IэфI къыщIыхьэн щхьэкIэ. ИужькIэ, Iэр псыф ящIурэ, ар Iыхьэ-Iыхьэу яупIэпI — я Iувагъыр см 1,5 — 2, я хьэлъагъыр г 120 — 130-рэ хъууэ — хьэлIамэ пIащIэ хъурейхэр къыхащIыкI. Ахэр шыгъу зыхэлъ псы къэкъуалъэм хадзэри, дакъикъэ 30 — 40-кIэ ягъавэ, хьэлIамэхэр и щхьэм къыдридзеиху. ХьэлIамэр хьэлIамэпс къэкъуалъэм зэрыхадзэу бэлагъкIэ зэIащIэ — щIэтIысыкIыу и лъабжьэм къыкIэрынахэр къыкIэрыкIыжын щхьэкIэ. Зэрагъавэ шыуаныр инмэ, абы 3 — 4 халъхьэ, ауэ, дапщэ хъуми, ахэр псым щIигъанэу, мыщащэу, зэкIэрымыпщIэу щытын хуейщ. Ва нэужь чымчыркIэ къыхахыжри псы щIыIэ щIагъэж, хьэлIамэ щIыIум тевыхьа хьэжыгъэр кIэрихыху. ХьэлIамэр пщтыруи щIыIэуи яшх. 3 — 4 илъу тепщэчкIэ Iэнэм трагъэувэ. Ар шхум, шэм, шатэм дашх, хьэ-лIамэпсым драф. ЛыхэкI шхыныгъуэхэми гъэшхэкIхэми дашх. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): нартыху хьэжыгъэ ухуэнщIауэ — г 200, хупцIынэр зэрапщыну псывэу — г 260-рэ, гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIауэ — г 60, зэрагъэвэну псыуэ — г 700, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз. Балыджэ фIыцIэ зэхэупщIэта Балыджэ фIыцIэр ятхьэщI, яукъэбзри тIу-щыуэ зэгуаупщIыкIри ятхъунщI, абы хъурейуэ, пIащIэу упщIэта бжьыныщхьэ, шыбжий плъыжь, фIыцIэ хьэжахэр, шыгъу халъхьэ, серчэ хакIэ. А псори фIыуэ зэхагъэзэрыхьри тепщэчым иралъхьэ, и щхьэм дахэу упщIэта балыджэ плъыжь зэгъэзэхуауэ тралъхьэ. ЩIакхъуэ, лэкъум, кIэртIоф гъэва, кIэртIоф пIастэ, чыржын дашх. ЛыхэкI шхыныгъуэхэми дашх. Зи бгъэм щIыIэ хыхьахэм яшхыну сэбэпышхуэщ. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): балыджэ фIыцIэу — г 200, бжьыныщхьэ упщIэтауэ — г 30, балыджэ плъыжьу — г 60, серчэу — г 15, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. Фэ фщIэрэ? Лъэпкъыжь дыдэ Адыгэ, адыгэхэр. Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэр зи хэщIапIэ, абы къихъухьа, лъыкIэ зэпха лIакъуэ-лъэпкъ зыбжанэ (абазэхэхэр, беслъэнейхэр, бжьэдыгъухэр, жэнейхэр, кIэмыргуейхэр, къэбэрдейхэр, мамхэгъхэр, мэхъуэшхэр, нэтыхъуейхэр, убыххэр, хьэтыкъуейхэр шапсыгъхэр) къызэщIэзыубыдэ, езыхэр зэрызэджэж фIэщыгъэщ. Курыт лIэщIыгъуэхэм щегъэжьауэ къуэкIыпIэ, къухьэпIэ лъэпкъхэм я тхыдэ тхыгъэхэм адыгэхэр хыхьащ «шэрджэскIэ» къеджэу. Щыпсэу щIыналъэ елъытауэ нобэ адыгэхэр гуэшащ адыгей, къэбэрдей, шэрджэс адыгэу. Адыгэр лъэпкъыжьщ. Пасэм щыгъуэ абы пыщIэныгъэ яхуиIэу щытащ Циркумпотий щIыналъэм, Азие Гупэм, нэгъуэщIхэми. Жэз лIэщIыгъуэм ипэхэм адыгэ этносыр зэфIэувэн щIидзащ. А лъэхъэнэм хуозэ «Мейкъуапэ щэнхабзэр» къэунэхунри. Пасэ зэманым адыгэхэм «мэуэт» фIэщыгъэцIэр яIащ. Абы и къудамэт синдхэр, ахейхэр, керкетхэр, зиххэр, нэгъуэщIхэри. Ди эрэм ипэкIэ илъэс минкIэ узэIэбэкIыжмэ, мэуэт этносыр пыщIауэ щытащ киммерейхэмрэ скифхэмрэ, нэхъ иужьыIуэкIэ — щэрмэтхэм, аланхэм, алыдж къалэхэм. А зэпыщIэныгъэхэр сэбэп хуэхъуащ Синдикэ къэралыгъуэр къэунэхуным. Ди эрэм и пэкIэ IV лIэщIыгъуэм Синдикэр хыхьащ Боспор къэралыгъуэм. Ди эрэм и япэ илъэс миным и етIуанэ Iыхьэм адыгэхэр зэкъуэувэри, Зих конфедерацэр зэхашащ, Никопсис и къалащхьэу. Курыт лIэщIыгъуэхэм я япэ лъэхъэнэм «зих» фIэщыгъэмкIэ нэгъуэщI лъэпкъхэр къеджэрт адыгэ лIакъуэ псоми. X — XII лIэщIыгъуэхэм ятха къэжэр, хьэрып, урыс тхыдэ тхыгъэжьхэм адыгэ лъэпкъым «касог» («кашак») цIэр иIэу къыхощ. IX лIэщIыгъуэм икухэм «пщы Инал и къэралыгъуэр», нэгъуэщIу жыпIэмэ, Зих конфедерацэр къутэжащ. Къэзэрхэм я зекIуэр къагъэувыIа нэужь адыгэ лъэпкъ зэгухьэныгъэр къэунэхужащ. X — XI лIэщIыгъуэхэм абы зэгуигъэхьэжащ Зих архиескопиер здэщыIэ Тамтаркъейр, иужькIэ ар хуэкIуащ адыгэ-славян зэгухьэныгъэм. XII лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу, ипщэ щIыналъэхэм щыпсэу лъэпкъхэр зэхэзехуэн зэрыхъуам къыхэкIыу, Тамтаркъейр Византием и жыIэм щIэуващ. А лъэхъэнэм къыщегъэжьауэ адыгэ зэгухьэныгъэм хэтхэм щхьэхуэ защIу хуежьащ. Адыгэхэм я бзэр хохьэ кавказыбзэхэм я абхъаз-адыгэ Iэрамэм. 2002 гъэм екIуэкIа Урысейпсо къыхэтхыкIыныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Урысей Федерацэм исщ адыгэ мин 750-м нэблагъэ. Апхуэдэу ахэр щопсэу СНГ-м хыхьэ къэрал псоми, хамэ хэгъуэгу 40-м щIигъуми. КъызэралъытэмкIэ, нэгъуэщI къэралхэм псори зэхэту адыгэу щопсэу мелуани 8-м нэблагъэ. Адыгэхэр муслъымэн-суннитхэщ, языныкъуэ мэздэгу адыгэхэм къищынэмыщIа. Абыхэм я нэхъыбэм чыристан диныр зэрахьэ. Думэн Хьэсэн. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 3. Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым и лэжьакIуэу щыта. 6. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым и джэгуакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист. 9. ХьэщIэ лъапIэм хуаукI Iэщ. 11. Къэнжал хьэку цIыкIу. 12. Хъыджэбз ирахьэжьамэ е Iэщ гуп ирахужьамэ, кIэлъыщIэпхъуэ гуп. 13. Спектаклым и зы Iыхьэ. 14. Нэхъапэм адыгэм зэрахьэу щыта, гъуаплъэм къыхэщIыкIа псылъэшхуэ. 17. Ди унафэщIым дунейр къутэжыхункIэ и … къокIынукъым. 19. Хьэлу, мэжаджэ, чыржын … 21. МафIэ бзий къыдидзу, уафэм къыщоуэ. 22. Къамылым къыхащIыкI алэрыбгъу, лъэгурыдз. 23. Хьэкъущыкъум щыщ. 24. НапIэзыпIэ. 27. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, … вы бжьакъуэм къокI. 30. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 31. Ди гъунэгъу щIалэ цIыкIум … дахэ иIэщ. 32. Пасэрей адыгэ зауэлIым и джанэ. 33. Iуэху мыублэм … хэсщ. 38. Гъавэ къэкIыгъэ. 39. Шыр зэрагъэIэсэ кIапсэшхуэ. 41. Транспорт лIэужьыгъуэ. 42. Дыгъэ къыщIэкIыгъуэм уафэм къищI плъыжьыгъэ. 43. ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым и режиссер нэхъыщхьэу щыта, РСФСР-м и цIыхубэ артист. 45. Пхъэщхьэмыщхьэ фIыцIэ-къащхъуафэ ткIыбжь къызыпыкIэ жыг лъахъшэ. 46. Iэщэ лIэужьыгъуэ. 47. Пщыхьэщхьэм … ин къыкъуэуащ. 48. Бгы щIэуда, щIыхьэпIэ зиIэ. 51. УимыIыхьлы, уимыблагъэ. 53. Муслъымэн диныр зи тегъэщIапIэ судыщIэ. 55. Зиусхьэн лъэпкъ. 56. ЦIыхухъуцIэ е Къэрмокъуэ Мухьэмэд и роман. 57. … къакIуэм, кIэфий нэкIуэжынщ. Къехыу: 1. ЩIым гъуэ куу къыщизытхъу, хьэпIацIэхэр зи шхыныгъуэ псэущхьэ цIыкIу. 2. Бжыхь …, жьакIэ … е нейуэ щымыт. 4. Нартхэм я ныкъуэкъуэгъу лъэпкъ. 5. Хъыджэбз укIытэхым и нэкIущхьэр … къэхъуащ. 7. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Алий. 8. ЕкIуэкIыу ит 3-мрэ 6-мрэ зи гугъу щытщIахэр къыщалъхуа къуажэ. 10. Акъыл зэпIэзэрыт зимыIэ. 15. Къуажэ пщIантIэм дэт псэуалъэ, гъэтIылъыпIэ, къуэдзапIэ. 16. Хадэ е Iуэ ихьэпIэм хуащI бжэ. 17. Гъавэ кърахьэлIэжам щыщу тхьэмыщкIэхэм папщIэ хатыкI Iыхьэ. 18. Сэхьид и … пажэр хэкIауэ щхьэхуэу мэпсэу. 19. … вакъэ лъыптIагъэмэ, щешхыкIыж. 20. Нэхъ пасэм адыгэм нэгъуэщI унагъуэм ирагъэпIу щыта сабий. 25. Зи къудамэхэр теухъуэнщIыкIа жыг лъэдий гъум. 26. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу лъэпкъ. 28. Зэпымыууэ уэс зытелъ бгы. 29. Зыкъомрэ щыта махъсымэм и лъабжьэм ар къыщIонэ. 34. Фызым и … макъыр лIым и щIэщыгъуэжкъым. 35. Псым, бгым я нэпкъ лъагэ. 36. Къэрэшей-Шэрджэсым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI … Лейлэ. 37. ГуфIэгъуэ Iэнэм щысхэр зыхуей хуэзыгъазэ. 39. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлIэ шы лъэрызехьэ. 40. УзыфIэфI дыдэм деж кIуэи тхьэусыхэ, уи … къысщыхуэ! 42. Унэм и зы Iыхьэ. 44. Нэхъапэм бригадэ зэхьэзэхуэхэм щытекIуам ирату щыта щэкI плъыжь цIыкIу. 48. … и пIэ … къокIэж. 49. ХадэхэкI. 50. Хьэцэпэцэ пыупщIа, ямыIуэжауэ. 52. « … ныкъуэ щхъуантIэ» — КIыщокъуэ Алим и роман. 54. БалигъыпIэ иува щIалэм и … кIуэгъуэщ. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. ЩIышылэм и 19-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 5. Къэптал. 6. Уэнжакъ. 7. Тхьэрыкъуэ. 9. Бжэныхъуэ. 14. Хьэлэл. 16. ХьэмкIэ. 17. Умэ. 18. Шыд. 20. Дэп. 23. Лагъым. 24. Шырыкъу. 26. Къургъакъ. 28. Пыл. 29. Нэд. 31. Дыгъу. 33. Псынэ. 36. Набдзэ. 37. ГурыфIыгъуэ. 39. Бжэндэхъу. 41. ЛIэщIыгъуэ. 42. Къандур. Къехыу: 1. Епэр. 2. Къанкъуэщ. 3. Къэнжал. 4. Бжэн. 8. Хьэлэ. 10. Хъурмэ. 11. Тхьэгъуш. 12. Шэмэджгъэдыргъ. 13. Хьэсет. 15. Лашэ. 16. Хьэпс. 19. Дэлэл. 20. Думэн. 24. ШкIэплъ. 25. Къупхъэ. 26. Къудан. 27. Къалэн. 30. Мыхъур. 32. Гъубжэ. 34. Мэгъуагъуэ. 35. Хьэждал. 38. ФIыщIэ. 40. Надэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24730.txt" }
Зи гугъэмрэ зи гъащIэмрэ зэтемыхуа ЦIыпIынэ Аслъэн Зи гугъэмрэ зи гъащIэмрэ зэтемыхуа — пасэу, и щIалэгъуэу дунейм ехыжам апхуэдэу хужаIэ адыгэхэм. И мурадахэмрэ къыхуиухамрэ зэтехуакъым Къэбэрдей псом щхьэкIуэ ящыхъуауэ дунейм ехыжа, зи гугъу фхуэсщIыну сыхуей адыгэ щIалэм. Арауэ къыщIэкIынут ЦIыпIынэ Аслъэн (Ахърэт нэху Алыхьым кърит!) къыхуиухар, илъэс 50 фIэкIа къимыгъэщIэну. Уегупсысмэ, куэдкъым ар, сыту жыпIэмэ, илъэс 50-м и ужькIэщ цIыхухъум зыщиузэщIыр, абы и ужькIэщ гъащIэм зыщихъуэжыр. «Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьa» жаIэ адыгэхэм. Ар хужыпIэ хъунущ ди егъэджакIуэ Аслъэни. КъигъэщIар мащIэ дыдэми, адыгэбзэкIэ псалъэу зы цIыху дунейм тетыху, ягу илъынущ а цIыху щэджащэр. Сэ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и етхуанэ курсым сыщоджэ. ЦIыпIынэ Аслъэн Iэмырбий и къуэр ди отделенэм и кафедрэм и унафэщIу арат. Илъэситху мыбы сызэрыщеджам Аслъэн и цIэр IейкIэ жаIэу зэхэсхакъым. ХужыпIэн хуэдэуи щытакъым, сыту жыпIэмэ, нэхъыжьми нэхъыщIэми бгъэдыхьэкIэ тэмэм къахуигъуэтырт, гъащIэм щыгуфIыкIырт, жыпIэнурамэ, фIы зигу илъ цIыхут ар. Пщэдджыжьым ар еджапIэм къыщыщIыхьэкIэ, гуфIэу, лэжьыгъэм и нэр къыхуикIыу, зыхуэзэ, илъагъу псори фIэдахэу кIуэцIрыкIырт. Гулъытэншэу зыри къигъанэртэкъым, дэтхэнэ зыми зэрыхуэгуэпэным яужь итт. Ди курсыр Аслъэн дыщригъэджар япэ илъэсращ. Япэ классым дызэрыкIуам ещхьу, зыми зыри хэдмыщIыкI жыхуаIэм хуэдэу, еджапIэм дыщIэтIысхьат. Абы щекIуэкI хабзэхэм зыкIи дыщыгъуазэтэкъым, уеблэмэ, мащIэуи дышынэрт, дыIэнкунт, ауэ ди егъэджакIуэм апхуэдэхэр и щыпэлъагъутэкъым. Япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ Аслъэн ди дэлъху нэхъыжьым хуэдэу, псалъэ дахэ къыджиIэурэ щыгъуазэ дищIат псоми. ДыкъызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэмрэ адыгэ IуэрыIуатэмрэ дигъэджырти, и лекцэхэм дыхуэпIащIэу дыкIуэрт, жиIэхэм щыщ зыри зэрыдэдмыгъэхуным дыхущIэкъурт. Сыт и уасэт Аслъэн иригъэкIуэкI зы лекцэ ущIэсыну! СыхьэтитIыр, зы дакъикъэу фIэкIа къытщымыхъуауэ, блэлъэтырти ежьэжырт. И дэтхэнэ псалъэухами щIэ гуэр къуигъащIэрт. Дыщригъаджэм деж и закъуэтэкъым абы дыщыхуэзэр, атIэ махуэ къэси дыкъилъагъурт. Япэ курсыр къэдухауэ дримыгъэджэж щыхъуами ар куэдрэ къытхыхьэрт, къытщIэупщIэрт, сыт хуэдэ упщIэ диIэми абыкIэ зыхуэдгъазэ хъуну жиIэрт. Кафедрэм Iуэху гуэркIэ декIуэлIамэ, куэд щIауэ зэжьэ хьэщIэм хуэдэу къытпежьэрт, пщIэ къытхуищIу, «адыгэ унагъуэ къыхэкIащ мы цIыкIухэр» жиIэурэ къытхуэгуфIэрт. Дэтхэнэ зы студентми ар гуапэ тщыхъурт, къытщхьэщыжыфыну къару лъэщ гуэрым дыкъызэриухъуреихьыр зыхэтщIэрти. Псоми яхуэгуапэт Аслъэн, псори фIыуэ илъагъурт, фIэдахэт, зэхэгъэж жыхуаIэр ищIэртэкъым, зыхуэзэ псори зыгуэркIэ зэригъэгуфIэным, зэригъэгушхуэным яужь итт. Сытым дежи и гур зэIухат, и нэгур зэрызэIухам ещхьу. Арауи къыщIэкIынут ар зыпэрыувэ и дэтхэнэ Iуэхури къыщIехъулIэр. ИгъащIэми жаIэ апхуэдэ цIыхуфIхэр Алыхьым япэ зришэлIэжу. ЗришэлIэжащ Аслъэни. Игу илъа псори къехъулIакъым Аслъэн, гугъэу иIа псори лъэлъэжащ зы дакъикъэм, мураду ищIар игъэзэщIэну хунэсакъым — 2010 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м и пщыхьэщхьэм, къаджэр хьэщIэу иригъэблэгъэн и гугъэу унэм къыщIэкIауэ яукIащ. Гуузт апхуэдэ цIыхуфI лъэпкъым фIэкIуэдыныр. Гуауэшхуэ къытепсыхат а махуэм ЦIыпIынэхэ я унагъуэм, Къэбэрдей псом гущIыхьэ ящыхъуат, дэ, иригъэджахэм, хуабжьу зыхэтщIащ а гузэвэгъуэр. Дунейри пшагъуэу, зэхэуфауэ нэху къекIат а пщэдджыжьым, ЦIыпIынэхэ я гуауэр, адыгэ лъэпкъ псом къытепсыха гуауэшхуэр, зыхищIэ хуэдэ, къыддэнэщхъейуэ. Нобэ Аслъэн къытхэмытыжми, абы и псалъэ гуапэхэр къэтIущэщу ди Iупэм телъ зэпытщ иригъэджа дэтхэнэ зыми, ди гум илъщ сыт щыгъуи икIи илъынущ дунейм дытетыху. Ахърэт нэху Алыхьым къуит, Аслъэн! ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ, КъБКъУ-м и филологие институтым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и 5-нэ курсым щеджэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24734.txt" }
Уэс къос, гур зэм хигъахъуэу, зэм хигъэщIу. ЩIихъумэм нэхъ нэхъыбэщ къыщIигъэщыр Ацкъан Руслан и усэщIэхэр * * * Си къуэрылъхум жиIэм елъытащ мы си махуэ гуэрыр зэрыкIуэнур. КъысхуэгуфIэм, си гум къелъэтыхь, ар нэщхъеймэ, махуэ псор мэкIуэдыр. Зэм мэгуфIэ, зэми ар нэщхъейщ, сыт а цIыкIум и гум щызэблэкIыр? И жэуапыр сщIэну сэ сыхуейщ, ауэ си акъылкIэ ар зэфIэкIкъым. Си нэгу и нэ топхэмкIэ къоплъыхь, иубзыху хуэдэ сэ къысхищIыкIынур. Абы зэкIэ къысхуимыщIрэ дзыхь, е къыфIэщIрэ зэхэзмыщIыкIыну. СыпIейтейщи, сэ сыпсэлъэрейщ. ЗыхызощIэ, езым згъэщIэгъуэжу: и гум ирилъхьэнур щхьэхуэ ещI, и щхьэм ирилъхьэнур зэхетхъуэжыр… * * * Изыр ныкъуэкIэ къыщахъуэжым упсэуащ къызжаIэнри хэлъщ. Абы зыкIи сыхущIегъуэжкъым. Абы нобэм сыкърегъэл. Изыр ныкъуэкIэ къозыхъуэжым и псэм щыщи телъу къуитынт. ПщIынт и гуапэ уэ нэгъуэщIым, гурыфIыгъуэ езыми бгъуэтынт. Иджы сыт мы дунейм щекIуэкIыр жыпIэу щытмэ — си щхьэр нэмыс. Нобэ зыри къызгурыIуэжкъым, изыр — ныкъуэщ, ныкъуэр — изщ… * * * Ныщхьэбэ къепщэ жьыр си щIыфэм пхокIыр, дыгъуасэти ар хуабэу щыщытар. Сэ фIыуэ слъагъу лъэныкъуэмкIэ ар къокIыр, згъэпщкIуа гухэлъри къитIэщIыж пэтащ. Сэ зыхэсщIащ зыхэтыр къызжиIэну жьы темыпыIэм, къысфIыщIэплъэу нэм. Сэ згъэфIа псор ищхъэрэкIэ щыIэжкъым, абыкIэ нэгъуэщI гъащIэ къыщоунэху. А гъащIэм щыщу сэ къыслъысыр мащIэщ, а тIэкIум си дунейм сыт хигъэхъуэн. Ауэ сыпхоплъ ищхъэрэкIэ гумащIэу, псэм щыщ къыщызгъэнауэ арагъэнщ. Жьыр и фIэщыпэу хопщэ бжьыхьэ плъыжьым, дэп хилъэгъуа къыфIэщIу арагъэнт. Мэбзэх итIанэ, ихьу тхьэмпэ гъущэр. Зысплъыхьми, здигъэзар къысхуэмыгъуэт… * * * ПщIэ щиIэжкъым мы гъащIэм псэ закъуэм, зэрызехьэм сащыщу аращ. Сыпхроплъри къалэм — си макъыр щызэхахыу иIэжкъым уэрам. Iэуэлъауэр щхьэгъубжэхэм йоуэ, къолъеиж зэпымычуи — зэгуоп. Уи гугъэнущ уэрамхэм щызеуэ щIэлъэтыпIэ къалъыхъуэу бзу гуп. Псэ тыншыгъуэр зэгуэр схуэхъумакъым, иджы илъ си Iэпкълъэпкъым ещIэж. МыупщIэжу си гъащIэри макIуэ, и щIэдзапIэр здэщыIэр къэщIэж. Таксим сисущ къызэрысщыхъур, ахъшэу махуэхэр къыпебжыкI. Гъуэгум щIэптынур пхуримыкъум, уздэкIуэм унэмысу икI… * * * Пщыхьэщхьэ гуэрым сынэкIуэнкIэ хъунщ, Си ныбжьыр здынэсари сщыгъупщэжу. Уи нэгум гъащIэ псо сэ ислъэгъуэнщ, сызыхэмытым зыкъыщыслъыхъуэжу. Хъужынщ си жагъуэ, игъэупщIыIуу лъыр, упсэуфащ жысIэнщи уэ сэрыншэу. Емыщхьу сызэсам укъызэплъынщ, узбжынщ афIэкI хэмылъу гущIэгъуншэу. Жэщ кIыфI къыскIэлъысам сыхыхьэжынщ, сыздэкIуэм щIэупщIэни къыкъуэкIынкъым. Удыну щыIэм сэ сыхуэхьэзырщ, арщхьэкIэ ар схуэхьыну къыщIэкIынкъым. Уэшхым пыщIа гупсысэхэр 1. Уафэгъуагъуэр къыщышхыдэрт лъагэу, уэшхыр щабэу щIым къыдэуэршэрт. Къеблыжа си гъащIэм хишыжт лъагъуэ, икIуэтыж гупсысэр сыту жэрт. Псом нэхъ хьэлэмэту щыта гъащIэм мис аргуэру си псэр хэтхъыкIыжт. Дихьэхар гуфIэгъуэм зэми гъуащэрт, ауэ гъуэгум хуэзэу къыхэкIыжт. Уафэгъуагъуэм щIэх икIащ и макъыр, пIейтей уэшхым теужын лъэмыкIт. Уафэгъуагъуэм жиIэр зэхэсхакъым, уэшхыр хуэдэт си гум къипсэлъыкI… 2. И щэхухэр уафэм, къохри, хохьэ щIым, и щэхухэр щIылъэм занщIэу уафэм макIуэ. Зэхуэзэу щытмэ — уафэгъуагъуэ мэхъур, къыздикIри щыблэр ара къыщIэкIынщ. Уэшхышхуэ хъуам, си бынхэм солъыхъуэжыр, щыкуэдми зыгъэпщкIупIэ уафэ щIагъым. Шынагъуэщ, дауи, щыблэ зыщIэт уэшхыр, арщхьэкIэ нэхъ гухэхъуи зыхэсщIакъым… 3. Си гъащIэр нобэ уэшх нэужьым ещхьщ, си бгъэгум уэ щехауэ фIэкI сымыщIэ. Мы си гум Iэрыхьар гупсысэ ещI, ар нобэ къешха уэшхыращ зыпысщIэр. Къешхащ уэшх Iэджэ, сэри куэд слъэгъуащ, арщхьэкIэ зым емыщхьт нобэрей уэшхыр. Абы и уэршэрыкIэри нэгъуэщIт, и щыблэри спэжыжьэт шэ къэуэжу. БлэкIащи уэшхыр, мэгъущыж дунейр, псом япэ Iуащхьэр хогъущыкI унащхьэу. Дэхъейри жьыбгъэ мащIэм псы инар, сэ къысщыхъуащ щIым къысхуищIауэ нащхьэ… * * * Iэджэм хэт и щхьэ тхъуар ехьэхауэ, сызэплъэкIмэ, итщ ар си ужь. Щхьэ сфIэщIат ар дунейм ехыжауэ? Хьэуэ, мис, тхьэм и фIыщIэкIэ псэущ! Хуэму докIуэ, дыхъуащи зэгъусэ, зи гугъу тщIыри къекIуэкIхэм щымыщ. Зыр къэтщIэжым, нэгъуэщIхэр тщогъупщэ, дякур зэми мэхъужыр даущ. Ди щIалэгъуэр зы гъуэгут абы дэрэ, ауэ гъуэгухэм зэхэкIыу я хьэлщ. Къипхыжын блэкIа гугъэхэр дэнэ, иджыреи абы яхохьэж. КIуэхукIэ псалъэхэр мэхъур нэхъ мащIэ, езгъэшауэ си гъусэр къысфIощI. СеупщIынт зэрихьамкIэ и гъащIэр, ауэ псори и нитIым къыщIощ. И къэкIуэнури нэгум щызокIуэ. Ар йожьэж — къыздикIамкIэ мэкIуэж. ХужысIэж хуэдэ си щхьэм жызоIэ, сэ жызоIэ абы: «УмыкIуэд!» ЩIидзэжынущ дунейм къытемыхьэу е зекIуапIэ хуэхъунущ нэгъуэщI. СекIуэкIынущ зыкъомрэ, зысплъыхьу. СымыщIэжу абы сылъыхъуэнщ… * * * Зэ сынэсыжу зезгъэщIыну сыпIащIэу унэм сыздэкIуэжым, а щIалэжь цIыкIур згъэIущыну сыщIыхуежьар къызгурыIуэжкъым. ЗэпиупщIат абы си гъуэгур, Iэтауэ и щхьэр, бакъуэу лъэщу. Из хъуащ абдеж гукъанэр бгъэгум, зышыIэу схэлъыр пэмылъэщу. СыкъитхъутхъукIыу сыпсэлъэнут, лей гуэрхэри жысIэнкIэ хъунут, арщхьэкIэ, пагэу къысхуеплъэкIри, сIихащ си лIыгъэр гъэщIэгъуэну. Къысхуеплъых щIыкIэу къызэплъакъым. Къысхудэплъейри гущIэм пхыкIыу, теувэжащ езым и лъагъуэм. Ар къысфIэщIащ и сэлам хыкIэу. Сихуат сэ зым емыщхь щытыкIэм, зэм сыкъэлыбу, зэм сыгуфIэу. Ар кIуэрт, афIэкI къызэмыплъэкIыу, къэзгъэщIа псор и ужь иувэу. СокIуэжыр, сызыщIэдэIужу. Жыг тхьэмпэм упщIэщ къаIущэщыр. И нитI лыдар си нэгу щIэмыкIыу сэ согупсыс нетIрей щIалэщIэм. ЩIэзгъэкъуэншар къыхузогъэгъур, и жагъуэ сщIынуи сигу илъакъым. ЗэпиупщIа абы си гъуэгур е сытехьа езым и лъагъуэм… * * * ИкIащ аргуэру зы щIымахуэ, и уэсыр къыIэщIэткIухьащ. И щIыIэр бахъэу хъури махэ, укIытэу щIым къыщхьэщыхьащ. Ар дохьэ псыхъуэм, псым щхьэщотыр, зэригъэзахуэр хэт ищIэн. Зым зэхимыхыу зэрыщатэр сыщызэпхыплъкIэ зыхэсщIэнщ. Абы зэшыгъуэр къыстригъауэм, здэсхьынур си щхьэр сщIам арат. Е къысфIэщIауэ щытмэ — хъуакъым, щIэщыгъуэу слъагъур а зырат. КъэкIуэну уэшхым и лъэмакъыр тхьэкIумэм къиIуэу къысщыхъуа? ИкIащ аргуэру зы щIымахуэ. КIуэжащ. Ар сытыт къыщIэкIуар?.. * * * Аргуэру си пщэм къыщIогъуалъхьэ гъуэгур, и сабэм и мэ IэфIри Iум йоткIухь. Абы сыщытехьэнум иIэж тIэкIур гухэхъуэкIэ и уасэщ гъащIэ кIыхь. ЗыхэсщIэр сэ мыбдежым схуэIуэтэнкъым. Апхуэдэу жыгым жьым зыкIэлъеший. КъыгуроIуэж, зы бжьизкIэ ар кIуэтэнкъым, жьым тхьэмпэм я щхъыщхъ макъыр кIэлъыжэнщ. Ежьэныр къысхохъыжьэ сэ аргуэру, арщхьэкIэ зэшым щIыгъуу нэм къыщIощ зыщIыпIи зэкIэ сызэрымыкIуэнур. Ди псыхъуэм мывэу дэлъыр скIэрыщIащ… * * * ЖыгыщIэ цIыкIуу си псэр зыгъэнэху, Вагъуэзэшиблым ещхьи уи къудамэр. Уи пащхьэ ситщ сэ, симыIэжу щэху, сыпщогуфIыкIыр къуэш къэзыгъуэтауэ. Си гукъыдэжыр нобэ бгъэбэгъуащ, гъэгъа цIыкIу закъуэ къыппидзауэ слъагъури. Уэ уи щIэщыгъуэщ, сэ дуней слъэгъуащ, сыпхущошынэ зэкIэ уафэгъуагъуэм. Дэ тIум ди гъащIэр зэхуэмыдэу кIуэнщ, техуаи уи хэхъуэгъуэр си жьы хъугъуэм. Ухъунщи лъагэ, къыдэкIуей жыпIэнщ, сэ дэнэ къисхыжын апхуэдэ лIыгъэ. Зэгуэр уи щхьэкIэр уафэм щIэуэ хъунщ, ещхь хъунущ уи къудамэри Шыхулъагъуэм. Абы зыгуэрым си нэр хилъэгъуэнщ, къыщысым бжьыхьэ тхьэмпэм я лъэтэгъуэр… * * * Уэ сыт щIауэ си псалъэм уежьэрэ, узыпэзгъаплъэурэ гъащIэм сехъуэж. СыкъэпцIыхужынкъым, сыхъуащ нэгъуэщI, езым зыкъысхуэцIыхуж уфIэщIрэ. Слъагъу хуэдэщ уэ нобэ узэрыпсэур, уепхауэ щIы кIапэ укъызытезнам. Уэ си щIалэгъуэм укъыхэзнащ, ар нэгъуэщI гъащIэу къысщохъур зэми. ФIыуэ узолъагъу жысIэм, укъэзгъэпцIэнщ, услъагъукъым жысIэм, укъызэмыдаIуэ. А тIум яку дэтыр къэзгъуэтыну дауэ? Сэ псалъэ къызэрыслъысыр зэщ… Сонетхэр 101 ЩысIэщIэкIащ щыуагъэ Iэджэ гъащIэм, къощ ахэр нэгум, схуэбзыщIыну хъункъым. Жэуапу сагъэхьам имыIэ гъунэ, къысхуагъэгъуам и бжыгъэри сымыщIэ. Нэм къыщIаIужт нэхъыбэм си щыуагъэр, утыку сыкъралъхьэнут яфIэфIыжьу. Яхэтт, щыуагъэм я нэхъ иныр щысщIми, гу лъимытауэ фэ зытезыгъауи. Щыуагъэ къэскIэ псэкIэ согъэвыжыр, сщыгъупщэжауэ къыщысщыхъум дежи. Зым джэгум щикъутэнщ си гукъыдэжыр, адрейм жэщ ныкъуэм сыкъегъэушыжыр. Зым къимыщIа щыуагъэрщ псом нэхъ хьэлъэр, сызэрылIыкIынур арщ зыхэлъыр. 102 УмыщIэу къыздихуари къыздикIари къущит мы гъащIэм щыIэщ лъэкIыныгъэ. Сэ къыспикIухь зэпыту екIуэкIами, иджы ар къыслъысащи, си гур ныкъуэщ. Къыплъысыр Iуэху, епщIэнуращ нэхъ гугъур, щыпIахыжыну махуэри умыщIэу. Си лъэкIыныгъэр зэсхьэлIэн солъыхъуэ, гукъэкIыр Iэджэщ, зыр адрейм емыщхьу. Хъуэпсэгъуэу унэ дэсщIыхьын ди псыхъуэм е нэху сыкъекIым сытехьэн гъуэгу жыжьэ?.. А псоми сыхэмыту, и ужь сихьэу, уи гъащIэр насыпзащIэ щхьэ сымыщIрэ. Си дежкIэ усIэтыныр зым щымыщ, сыплъэIэсыжыну щIы си фIэщ. 103 Солъыхъуэ ноби псалъэм я нэхъ IэфIым, согувэ, сахэдэн хуей хъуащи куэдым. СылъэIэсащ гум щыщIэр зыIуэтэфым, гур хэзыгъахъуэ къэзгъуэтаи хуэдэщ. Сызэжьар сыт-тIэ? ГъащIэр кIуащ здэкIуэнум, къэзыгъэзэжынури къэкIуэжакIэщ. Хэт и гугъа аргуэру къыстекIуэну слъытар згъэунэхуа къомым дэкIуэдакIэу. СигъэпIэщIэну хэтми гъащIэ псынщIэр, къыстокIуэ гуитIщхьитIыгъэр, хэтщи си лъым. Сэ схуэдэм нэхърэ хэт нэхъыфIу зыщIэр хузэфIэкIынур игъуэу жыIа псалъэм. Имыгъуэу жыIа псалъэм ищIэфынур уэ нэхъ нэхъыфIу хэт зыхищIэфыну… 104 Дэп зымыщI мафIэр сфIэгуэныхь мэхъуж, ар мэкIуэдыж, и бзийр зэрыункIыфIу. Дэп зыщIыр тIэкIу иджыри мэпсэуж, щытарэт ар абдеж зэхэтщIыкIыфу. ДыкIэлъыплъам и дэп къэсыху, тлъагъунт къэхъуапсэу мы дунеймкIэ зэрыужьыхыр. ЩIыхуэкIуэр яжьэм зыхэтщIэнкIэ хъунт, къэтщIэнкIэ хъунт мы щIым и хущхъуэ щIэхъур. Абы игъэзэщIэнущ и кIэм нэс къалэн къызэрымыкIуэу дэлъыр и пщэм. Дэп зымыщI мафIэр епIэщIэкIыу ес, къит хуабэри, хэт жиIэу щытми, ещхькъым. Дэп зымыщI мафIэр зэрыхъуар куэдыIуэ къысфIэщIрэ щхьэ ящыщу ди кIуэдыпIэм. 105 Си гъащIэр къэувыIауэ къысщыхъуащ дунейр щызэщымыщхъу зы махуэ гуэрым. Слъэгъуар слъэгъуащ, къыспэплъэркъым нэгъуэщI щыжысIэ дыдэм, IупщI хъужащ къэкIуэнур. ФIыуэ слъагъу псори къыщIыхьащ си нэгу, хэт къысхуэпIащIэу, хэти сэ къызэжьэу. Си гъащIэр пIащIэу техьэжащ и гъуэгу, къызит гуфIэгъуэр махуэ къэс зыхэсщIэу. Иджы йокIуэкI ар, ещхьу IэщIэкIам къызэмылыну и гугъа ухыгъэм. Си гъащIэм къару ин къылъыкъуэкIащ, и куэду фIэкIуэдын къыщищIэм щыгъуэ. ЗыфIэкIуэдынум я къарур хэлъхьэжи, абы хузэфIэкIынум щIэ иIэжкъым. 106 ЛъагапIэ Iэджэ гъащIэм зэрехъуэкI, уиIэту къыпфIигъэщIрэ псэр ихьэхуу. Зым бжьиз икIуху пщIэнтIэпсыр ирекъуэкI, адрейр докIуей, теувапIэхэр дигъэхуу. Къызэригъэгугъэр псори зыщ, щыгъупщэ пэтми къаригъэлъагъуну. И дежкIэ зи бзэр псалъэм ар насыпщ, мыпсалъэм зи бзэр ирехьэкIыр и нэр… Хэт къыщагъуэтыр гъуэгум, хэт щокIуэд, хэт хэжеякIэщ, хэти тэджащ жьыIуэу. И дэкIуеипIэм гъащIэм кIэрытщ куэд, абы игъафIэ щыгум нэси щыIэщ. Апхуэдэщ гъащIэр, ауэ, гъэщIэгъуэнкъэ, ууейр абы и лъащIэм къыщыбгъуэтырщ. 107 Пщэдджыжь нэмэзщ. Гупсысэхэр къокIуэж, пыщIахэр си унагъуэм япэ къищу. Ди уэрам щэхум ирикIуащ макъ гуэр, сэ сцIыхуу, ауэ сызэсам щымыщу. Къихьащ махуэщIэр. Сигуми ар къихьащ. Сэ здэзгъэзэнур сщIэркъым иджыпстукIэ, ар япэ къищу къаджэм елъытащ. Зыгуэр псэм фIэфIу хэлъщ а си щытыкIэм. Къихьащ махуэщIэр. Дыгъэри къыщIокI, къыкIэлъыIэбэу ар къыздикI лъэныкъуэр. Мы махуэр зэрыхъунур хэт ищIэн, итIани щыIэщ си гур зыгъэныкъуэ. ПщэдджыжькIэ дыгъэр къыкъуокI зэхъуэпсэжу. Щыкъухьэм деж ар ещхьщ зызыгъэсыжым. 108 Уи фIэщ мыхъуну куэд щокIуэкI дунейм, уи фIэщ хъуа куэди къыщIокIыжыр пцIыуэ. ИтIани си фIэщ сщIыну сэ сыхуейщ къысхуэгъэзауэ я уэрэдыр бзухэм. Зы гъуэгурыкIуэ гуэрым къызжиIащ къызэрыгуэкIрэ псэм къыдыхьэу псалъэ. Си фIэщ ар хъуакъым, ауэ хъу пэтащ, сэ а зытIэкIум сищIыжащ нэхъ щIалэ. Куэд мэхъу си фIэщ. А къомым сыхэмыту си фIэщ сэ сщIынут гъащIэр зэрыщыту, арщхьэкIэ мис аргуэру сыщIогъуэжыр. Сэ сощIэ фIэщхъуныгъэм хузэфIэкIыр. Слъэгъуащ и пэжыр пцIыуэ къыщыщIэкIым, гущIэгъу зыхуащIым щыщ ар зэрыхъужри. 109 Гупсысэхэр лъэужь щылъыхъуэ жэщщ. Уэс къос, увыIэжыну игъуэ пэтми. Си гукъэкIыжхэр къигъэушыжащ, си адэм къигъэщIам щыщ куэди хэту. Уэгу гъунэр игъэIэпхъуэу уэсыр къос. Плъызащ зауэлI си адэм и нэджыджыр. Япха уIэгъэу жэщым къызэпхопс жыг щхьэкIэм Iуву къыпына зэрыджэр. Си сабиигъуэм къеса уэсым ещхьщ ныжэбэ псом зыуфэбгъур дунеижьыр. Абы си нэгу къыщIыхьэр Iэджэ ещI, си гъащIэ псор зэпещIэ зы лъэужьу. Уэс къос, гур зэм хигъахъуэу, зэм хигъэщIу. ЩIихъумэм нэхъ нэхъыбэщ къыщIигъэщыр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24739.txt" }
Спорт Аргуэру жэз медаль Поддубный Иван и фэеплъу Тюмень щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Иджы 52-нэрэ зэхэта зэпеуэм кърихьэлIат къэрал 11-м я спортсменхэр. Абыхэм яхэтт Олимп чемпионхэу Мишин Алексей, Власов Роман, Альбиев Ислъам-Бэч, Манкиев Назыр сымэ. Килограмм 66-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм жэз медаль къыщихьащ ди лъахэгъу Зэгъэщтокъуэ Замир. Мырзэкъан Заур и гъэсэным Москва къалэм, КъБР-м я щIыхьыр зэпеуэм щихъумащ. Илъэс кIуами Поддубный Иван и фэеплъ зэхьэзэхуэм Зэгъэщтокъуэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ. Ди спортсменхэм я ехъулIэныгъэхэр Псыхуабэ щекIуэкIащ шахматымкIэ урысейпсо фестиваль. Зэхьэзэхуэм зэхуишэсащ спортсмен 200-м щIигъу. Зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу 10 икIи зэфIэкI лъагэ къагъэлъэгъуащ. Япэ увыпIэхэр къахьащ Эдильсултановэ Залинэ, Егъэн Лианэ, Къармэ Мажмудин сымэ. Дзагуэ Тембулэт ещанэ хъуащ. Хъарзынэу джэгуащ икIи КъБР-м и рейтингыр драгъэкIуэтеящ Егъэн Алихъан, Тхьэмокъуэ Амир, Дзагуэ Къамболэт, КIэмыргуей зэкъуэшхэу Астемыррэ Ислъамрэ, Щыхьмырзэ ФатIимэ сымэ. Алихъанхэм я текIуэныгъэхэр Киев щекIуэкIащ 1999 гъэм къалъхуахэмрэ нэхъыщIэхэмрэ бэнэкIэ хуитымкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Украинэм, Белоруссием, Молдовэм, Урысейм щыщ спортсменхэр. Урысейм и командэ къыхэхам хэту Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зэпеуэм щахъумащ Учебнэ къуажэм и еджакIуэ СантIыкъ Алихъанрэ (кг 32-рэ) Алътуд школ №1-м и еджакIуэ Абей Алихъанрэ (кг 38-рэ). Спортсмен ныбжьыщIэхэм я гъэсакIуэ ЦIагъуэ Хьэмидбий зэрыжиIамкIэ, абыхэм зэфIэкI лъагэ къагъэлъэгъуащ икIи я хьэрхуэрэгъухэр щIэх дыдэу хагъэщIащ. Абей Алихъан «Техникэ нэхъыфI къызэригъэлъэгъуам папщIэ» саугъэт щхьэхуэри къыхуагъэфэщащ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24746.txt" }
Вагъуэхэр ноби мэлыд «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ журналист цIэрыIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфIэунэ (ТекIуий) Рае ТIулэ и пхъум и къалэмыпэм къыпыкIа тхылъыщIэ. «Вагъуэ жыжьэхэм я нур» — аращ зэреджэр Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм, абы къыкIэлъыкIуа лъэхъэнэм зи гъащIэр хиубыда цIыхухэм я гупсысэхэм, IуэхущIафэхэм, псэм щагъэва я гурыгъу-гурыщIэхэм ятеухуа а къыдэкIыгъуэм. АфIэунэ Рае АфIэунэр ди республикэм фIыуэ къыщацIыху радиожурналистщ. Зы хьэлымрэ зы щэнымрэ ит адыгэ бзылъхугъэр псэ къабзэ зиIэ, гупсысэ куу зыбгъэдэлъщ, абы и бзэ IэфIым удехьэх, къыпкърыкI гуапагъэм узыIэпешэ. Рае игъэхьэзыру икIи иригъэкIуэкIыу щыта «Iэдииху», «Жьэгу пащхьэ» радиожурналхэм щедаIуэм, цIыху куэдым ар псэкIэ зыхащIащ. Абыхэм мыхьэнэшхуэ щаIащ жылагъуэм, IуэхуфI куэди къарикIуащ. Адыгэ лъэпкъ гъащIэм хэкIуэдыкIыжу хуежьа ди хабзэр, пщIэр, нэмысыр къэIэтыжыныр зи къалэн нэхъыщхьэхэм ящыща а нэтынхэр апхуэдэуи хуэгъэпсат унагъуэм илъыпхъэ зэхущытыкIэхэм, цIыху пэрытхэм, унэгуащэ IэкIуэлъакIуэхэм, бынунагъуэшхуэхэм ехьэлIа, ахэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр зэпкърыхыным. Рае и иужьрей лэжьыгъэм куууэ щызэпкърыхащ цIыхумрэ абы и гупсысэмрэ, къэхъукъащIэхэмрэ гъащIэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр. «Вагъуэ жыжьэхэм я нур» тхылъым щызэхуэхьэсыжащ зэман зэхуэмыдэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр радиом папщIэ журналист IэкIуэлъакIуэм итхауэ, абыкIэ къатауэ щыта очеркхэр. Ахэр ятеухуащ Хэку зауэшхуэм и ЛIыхъужьхэу ди щIыпIэм щыщхэм, абы хахуэу хэта ди лъахэгъухэм, а зэман хьэлъэм зи гъащIэм дыркъуэ тридза бзылъхугъэхэм, унагъуэхэм. Бзэ дахэкIэ, къулейкIэ къэIуэта хъуащ Раисэ дигъэцIыху дэтхэнэ лIыхъужьми и образыр. Абыхэм яхэтщ гъащIэ щапхъэ хъуни, уфIэгуэныхь хъууэ гум къинэни, дэрэжэгъуэ къозыти. Дауэ хъуми, АфIэунэм ди нэгу къыщIегъэувэф лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр зезыхьа цIыхушхуэхэми къызэрыгуэкIхэми яIа псэукIэр, щытыкIэр, IуэхущIафэхэр, гупсысэхэр. Зи гугъу ищI дэтхэнэ цIыхуми и псэ лъащIэм нэсыфащ журналист Iэзэр, гум щагъэтIылъа гукъэкIыжхэмкIэ абы къыдэгуашэурэ псэр хуит къащIыжу. АфIэунэм и тхылъым къыхэща вагъуэхэр ноби мэлыд, я нурымкIэ куэдым яхуэупсэу. Къардэн Къэбард теухуа очеркыр еух мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ: «Феплъыт: модэ жыжьэу къыщолыд абы и вагъуэр. ЗыфIэвмыгъэкIуэд ар… ГъащIэм фызыщрихьэлIэ лъэпощхьэпо куэдым фыкъызэрыхэкIын гъуэгугъэлъагъуэ ар иджыри куэдрэ фхуэхъунущ». Ар пэжщ. «Вагъуэ жыжьэхэм я нур» тхылъыр ди республикэм и тхылъеджэхэм гурэ псэкIэ къызэращтэнум шэч хэлъкъым. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24748.txt" }
Илъэс 50-кIэ дунейр щымынут Налшык къалэм дэт ебгъуанэ курыт школым щIышылэм и 24-м зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ республикэр хуит къызэращIыжрэ илъэс 70 зэрырикъум. ЗэIущIэр дахэу, екIуу къызэрагъэпэщат Налшык къалэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым, ветеранхэм я къалэ Советым, ебгъуанэ школым. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм удз гъэгъа зыIыгъ еджакIуэхэр пежьэу гуапэу зрагъэблэгъа пэшышхуэм цIыхур щIэзт. УзыщыгуфIыкIынт, гу лъумытэнкIэ Iэмал зимыIэт пэшым щIэсым я нэхъыбэр зэрыщIалэгъуалэр. ЗэIущIэр къызэIузыхари езыгъэкIуэкIари езы школым щеджэ цIыкIухэрщ. Абыхэм, псом япэу, зауэ лъэхъэнэ гугъум и тхыдэр къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ. ИтIанэ абы кърихьэлIа псори зауэм хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ щыму яхуэщыгъуа нэужь, пэшым къыщIахьащ ТекIуэныгъэм и ныпыр. Зэманым сыт хуэдэ уIэгъэри игъэхъужу жаIэми, зауэм хэтахэм нобэми я гур къыходзэкъыкI ар щалъагъукIэ. Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Дол Анжелэ псалъэ ирата нэужь, жиIащ нобэ къахуеблэгъа нэхъыжьхэм и щхьэр зэрахуигъэщхъыр. — Зэманыр кIуэтэху нэхъ куууэ зыхыдощIэ къытхуэфхьа текIуэныгъэм, хуитыныгъэм я лъапIагъыр. Ди нэхъыжьхэм къыщалъхуа щIыналъэм пащIын зэрыщымыIэм и фIыщIэщ текIуэныгъэр. Дэ дызэрыгушхуэу ди щхьэр ину дэзыгъэIэтхэм ящыщщ «Зауэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр Налшык къызэрыфIащар. Дэр папщIэ зи псэр зыта лIыхъужьхэр зыхэта гугъуехьхэм дыщегупсыскIэ, мамырыгъэр тыгъэ зыхуащIахэм фIыуэ къыдгуроIуэ нобэрей дунеймрэ гъащIэр зыхуэдэнумкIэ жэуап зэрытхьыр. Фыкъыдогъэгугъэ фэ дыфхуэфэщэн папщIэ, ди къару илъ, тхузэфIэкI къызэрыдмыгъэнэнур, — жиIэри, и псалъэхэр хъуэхъу дахэкIэ иухыжащ Долым. АдэкIэ псалъэ иратащ Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэу Налшык къалэ щыIэм и унафэщI Абдуллаев Мустэфа. Абы къыхигъэщащ мыпхуэдэ пшыхьхэр псом япэу щIэблэм дежкIэ щхьэпэу зэрыщытыр. — Зауэм и плъыфэ псори зылъэгъуа нэхъыжьхэр зэрыдгъэлъапIэр, яхуэфащэ пщIэ зэрахуэтщIыр зылъагъу щIэблэм я дежкIэ дерсыфIщ. Нобэрей ди щIэблэр къуейщIейуэ, Iуэху мыфэмыцхэм хэту жаIэ — пцIыщ. Мэлищэ щIакъуэншэ хъуркъым, щIалэгъуалэм зы Iыхьэщ апхуэдэу къахэбгъуэтэнур, – жиIэри и псалъэхэм анэм теухуа усэкIэ къыпищащ Абдуллаевым. Зауэм теухуа усэхэм дахэу, гъэхуауэ школакIуэ цIыкIухэр къеджа нэужь, Хэку зауэшхуэр Iуащхьэмахуэ лъапэ зэрыщекIуэкIам теухуа кинофильм къызэхуэсахэр ирагъэплъащ. Нэхъыжь къэпсэлъахэм хэти щIалэгъуалэр гъащIэ узыншэм къыхураджэрт, иджы щыIэ щIэпхъаджащIэхэм зыдрамыгъэхьэхыну лъаIуэрт, хэти мамырыгъэр я къару къызэрихькIэ яхъумэну щIэблэм захуигъазэрт, нэгъуэщIхэри я гукъэкIыжкIэ ядэгуашэрт. Класс нэхъыжьхэм щеджэхэм зауэ лъэхъэнэм щыщ теплъэгъуэ къыщагъэлъагъуэм, зи гур пIащIэ хъуа нэхъыжьхэм я нэпсыр яхуэубыдакъым. Налшык къалэм и ветеранхэм я хорыр къызэхуэсахэм уэрэд дахэкIэ яхуэупсащ. Налшык къалэ администрацэм и къэлъыхъуакIуэ гупым и Iэтащхьэ Степанов Андрей псалъэ щратым, пщыхьэщхьэм кърихьэлIа нэхъыжьхэм фIыщIэ яхуищIри, Налшык дэт 7-нэ, 11-нэ, 20-нэ школищым я хъумапIэхэм зауэм ехьэлIа хьэпшыпхэр тыгъэ зэрыхуащIымкIэ щыхьэт тхылъхэр яритащ. «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къыбгъэдэкI фIэхъусым къеджащ партым и щIыналъэ исполкомым и унафэщI Канунниковэ Татьянэ. Налшык къалэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Борчаев Чэмал мыпхуэдэ зэIущIэ дахэ зи нэгу щIэкIа, зауэм къихь тхьэмыщкIагъэр зрагъэлъэгъуа дэтхэнэми дерс хихыну зэрыщыгугъыр жиIащ. — Ди лъэпкъхэм яIэ хабзэмрэ бзыпхъэмрэ зыдэлъ дыщэ пхъуантэр фхъумэ, аращ лъэпкъыр къулей, дахэ зыщIыр. Фи анэм къывдилъхуа бзэм нэхъ дахэрэ «къэуат» зыщIэлърэ зыри щыIэкъым, — захуигъэзащ Борчаевым щIэблэм. ЗэIущIэр езыгъэкIуэкI цIыкIухэм уи гур зыгъэуз зы Iуэху къыхагъэщащ — Хэку зауэшхуэм цIыхуу хэкIуэдам дакъикъэ зырызкIэ уахуэщыгъуатэмэ, илъэс 50-кIэ дунейр щымынут… Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24754.txt" }
Сирием ис адыэхэм я Iуэхум егъэпIейтей Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ щIышылэм и 22-м Сэхъурокъуэ Хьэутий иригъэкIуэкIащ. Абы щыхэплъащ Iуэхугъуэ зыбжанэм. Япэу зи гугъу ящIар Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм нобэ я Iуэху зытетырщ, я псэукIэрщ, я мурадхэрщ. Абы теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ бысымхэм ящыщу Ибрэхьим Бассам, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ СтIащ Ахьмэд, КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI КIурашын Анзор, «Налшык къалэ и курортхэр» ОАО-м и тхьэмадэ Къаскъул Владимир, ДАХ-м и IуэхущIапIэм и Iэтащхьэ Мыкъуэжь Арсен сымэ. Апхуэдэу жаIа псори къызэщIикъуэжащ ДАХ-м и президент Сэхъурокъуэ Хьэутий. ЗэIущIэм хэтахэм зэрыжаIамкIэ, СХьР-м бэлыхь щыхэ хуа ди хэкуэгъухэу Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху 504-рэ къэкIуэжащ. Ауэ абыхэм ящыщу зыкъомыр — Адыгэ Республикэм, нэгъуэщI гупи — Къэрэшей-Шэрджэсым Iэпхъуахэщ. Ди щIыналъэм къина цIыху 370-м ящыщу 164-р къуажэхэм (Благовещенкэ, Крем-Константиновкэ, Анзорей) унэ къыхуащэхуурэ ягъэIэпхъуащ. Мыдрейхэр зэкIэ Налшык къалэ дэт «Дружба», «Эльбрус», «Горный родник» санаторэхэм щIэсщ. ЕтIуанэ Iуэхум теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы и гугъу ищIащ Урысейм Федерацэм и Правительствэм и саугъэтыр иджыблагъэ зыхуагъэфэща зэадэзэпхъухэу ТIажьхэ Борисрэ Альбинэрэ лэжьыгъэ купщIафIэ зэрырагъэкIуэкIым. Илъэситхум щIигъуауэ сурэтыщI-модельер цIэрыIуэ ТIажь Альбинэрэ абы и фондым и унафэщI ТIажь Борисрэ «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэхэр» дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ зэпеуэ-фестивалыр ирагъэкIуэкI. — ТIажь зэадэзэпхъум щэнхабзэм хуащI хэлъхьэныгъэм къыдэкIуэу, зи ужь ит проектым дуней псом адыгэу тетым я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, — жиIащ ХьэфIыцIэм. — Адыгэ Iуэхур и лъабжьэу абы зэпеуэхэр щызэхашащ Америкэм, Азием, Африкэм, Европэм я къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм, ахэр псори зэхэту 20 мэхъу. Ахэр щылажьэ Москва дэт «Лъэпкъхэм я унэ» IуэхущIапIэр я дэIэпыкъуэгъуу сурэт щIынымкIэ зэпеуэхэр ирагъэкIуэкI, абы щытекIуахэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрыт журналхэр къыдагъэкI. КъищынэмыщIауэ, иджыблагъэ дунейм къытехьащ нарт хъыбархэр щызэхуэхьэса «Сосрыкъуэ» тхылъыр, ар адыгэбзэкIи (зытхар Къэрмокъуэ Хьэмидщ), урысыбзэкIи (зэзыдзэкIар Кузьмин Валентинщ), хьэрыпыбзэкIи (зэзыдзэкIар Къумыкъу Мамдухьщ) къыдэкIащ. ДяпэкIэ я мурадщ адрей нарт лIыхъужьхэм я хъыбар зэрыт тхылъхэр къыдэкIыным хуагъэхьэзырыну. Апхуэдэуи «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэхэр» дунейпсо художественнэ гъэлъэгъуэныгъэр къэрал куэдым щрагъэкIуэкIащ, Налшык къалэм дэт Лъэпкъ музейми къыщызэрагъэпэщауэ щытащ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыхигъэщащ ахэр къытщIэхъуэ щIэблэр лъэпкъхэм я щэнхабзэм и тхыдэм щыгъуазэ щIынымкIэ, абы дегъэхьэхынымкIэ, зэчий зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэм я творческэ зэфIэкIхэм зегъэубгъунымкIэ хуабжьу зэрысэбэпыр. ИкIи дыщIигъуащ езыр зи редактор нэхъыщхьэ «Адыгэ псалъэ» газетыр сыт щыгъуи зэрыдэIэпыкъур, дяпэкIэ кърахьэжьэ Iуэхухэр Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэми зэрыдиIыгъынур. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр адэкIэ тепсэлъыхьащ гъатхэпэм и 25-м Мэздэгу къалэ щекIуэкIыну ягъэхьэзыр зэIущIэм и къызэгъэпэщыкIэ, зэхэлъыкIэ хъунухэм. ДАХ-мрэ КъАХ-мрэ Мэздэгу щрагъэкIуэкIынущ политикэ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ министру щыта Тыркуин Анатолэ и фэеплъ пшыхь. Ар Ставрополь крайм хыхьэ Къурей щIыналъэм щыщ Азэней адыгэ жылэм къыщалъхуащ, гуащIафIэу лъэпкъым хуэлэжьащ. Къызэхуэсахэм ягъэбелджылащ пшыхьыр къызэгъэпэщыным иужь итыну гупыр, абы хэтын папщIэ Мэздэгу кIуэнухэр, нэгъуэщIхэри. ЗэIущIэм хэтащ Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Дербит (Мудар) Валерэ, абы и къуэдзэ Бэрэгъун Борис, Тыркуин Анатолэ и къуэшым и къуэ Геннадий сымэ икIи езыхэм я лъэныкъуэкIэ зэфIагъэкIыпхъэхэр утыку кърахьащ. ДАХ-м и зэIущIэр иуха нэужь, абы хэтахэр кIуащ «Дружба» санаторэм икIи Сирием къикIыжауэ абы щыпсэухэм я щыIэкIэ-псэукIэр зрагъэлъэгъуащ, Iуэхум и хэкIыпIэ хъунумкIэ зэпсэлъахэщ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24757.txt" }
Ди къуэш республикэхэм ИлъэсыщIэм и бюджетыр къащтэ Абхъаз. Республикэм и парламентым дызыхыхьа 2013 гъэм и къэрал бюджетыр къищтащ. Финанс дэфтэрхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, мы илъэсым я хэхъуэр сом меларди 5,2-м нэсынущ. Бюджетыр къыщащтэм къалъытащ Абхъазым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм трагъэкIуэдэну сом меларди 2-м нэблагъэ Урысей Федерацэм къазэрыхуиутIыпщыну- ри. Мэзхэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ Къэрэшей-Шэрджэс. 2013 гъэм Къэрэшей-Шэрджэсым мэзхэр зыхуей хуэгъэзэным сом мелуан 55-м нэс трагъэкIуэдэнущ. 2013 — 2020 гъэхэм тещIыхьа «Мэз хозяйствэм зегъэужьын» федеральнэ къэрал проектым ипкъ иткIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым дызыхыхьа илъэсым сом мелуан 54,9-рэ хухахынущ. Ахъшэр щIыналъэм къыIэрыхьэнущ республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ урысейм и мэз хозяйствэм и унафэщI Масляковымрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ. Сабий мини 10-м щIигъу Адыгей. Республикэм сабий садхэм екIуэлIэну хуей сабий мини 10-м нэблагъэ чэзум щыщытщ. Нэгъабэ абыхэм ящыщу апхуэдэ Iэмал зратар 580-рщ. Зи школ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIухэр IуэхущIапIэхэм къащтэным теухуа хабзэр 2011 — 2012 гъэхэм зэрагъэзащIэр республикэ прокуратурэм къипщытащ. Абы кърикIуахэмкIэ, щIыпIэ администрацэхэм сабий садхэм зрагъэужьыну зэрыхуагъэувыр къыщыгъэлъэгъуа заявленэу 5 судхэм ягъэхьащ. Абыхэм хэплъэри, Iуэхур зэфIахащ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24762.txt" }
Мы махуэхэм ЩIышылэм и 26, щэбэт Таможнэм и дунейпсо махуэщ Австралие къэралыгъуэр илъэс 225-рэ ирокъу. Индие къэралыгъуэм и махуэшхуэщ — Великобританием и бжьым илъэс 200-кIэ щIэта а щIыналъэр 1950 гъэм республикэ щхьэхуэ хъуащ. 1924 гъэм Петроград къалэм и цIэр Ленинграду зэрахъуэкIащ. 1944 гъэм Аруан куейр къызэрагъэпэщащ. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Тау Хьэзешэ и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Джэдзауэ Венерэ къыщалъхуа махуэщ. Тхыдэдж, зэдзэкIакIуэ Мэлбахъуэ Къэралбий и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 4 — 5, жэщым 1 — 3 щыхъунущ. ЩIышылэм и 27, тхьэмахуэ Нацизмэм ихьахэм я фэеплъым и дунейпсо махуэщ 1904 гъэм Урыс-Япон зауэм щIидзащ. 1941 гъэм «КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэр ягъэуващ. 1944 гъэм Ленинград къалэр блокадэм къикIащ. 1968 гъэм Налшык Къэрал музыкэ театр къыщызэIуахащ. Композитор, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жырыкъ Заур и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу. КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэрэгъун Руслан и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 2 — 1, жэщым 2 — 0 щыхъунущ. ЩIышылэм и 28, блыщхьэ Ядернэ зауэр мыдэным цIыхур хузэщIэгъэуIуэным и дунейпсо махуэщ 1820 гъэм Антарктидэр къахутащ. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Ингушым, Шэшэным гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Атэбий Игорь и ныбжьыр илъэс 51-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэс къыщесыну хуагъэфащэ. ЩIыIэр махуэм градус 1 — 0, жэщым 1 градус щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24764.txt" }
КъБР-м и Iэтащхьэм жылагъуэ парламент къызэгъэпэщыпхъэу къелъытэ Къанокъуэ Арсен ар щыжиIащ Парламентым хэт фракцэхэм я унафэщIхэм щахуэзам. ЗэIущIэр Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ икIи абы Iуэху куэдым щытепсэлъыхьащ. республикэм и Iэтащхьэм парламентархэм яжриIащ властымрэ жылагъуэмрэ зэдэлэжьэнымкIэ иджыпсту щыIэ Iэмалхэри нэгъуэщI IэмалыщIэхэри къэгъэсэбэпыным, абыхэм зегъэужьыным мыхьэнэшхуэ зэраIэр, цIыхухэмрэ властымрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъри нэхъ лъэщ щIын зэрыхуейр. Къанокъуэ Арсен къигъэлъэгъуащ дэтхэнэ къалэми къуажэми жылагъуэ совет щыIэн зэрыхуейр икIи жылагъуэ парламент къызэгъэпэщыным и Iуэхум егупсысыну депутатхэм чэнджэщ яритащ. — Сэ къызолъытэ цIыхухэм нэхъ дапыщIауэ дыщытын хуейуэ, абыхэм я зэфIэкIыр дэ иджыри нэсу къэдгъэсэбэпыркъым. ЦIыхухэм я зэхэщIыкIым пщIэ хуэщIыпхъэщ — абыхэм сэбэп хъун Iуэхухэмрэ гупсысэхэмрэ къыхалъхьэфынущ. Абы къыдэкIуэу, республикэм исхэм зыхащIэн хуейщ жылагъуэ-политикэ гъащIэм езыхэри зэрыпыщIар, республикэм щекIуэкIхэмкIэ дэ тщIыгъуу жэуап зэрахьыр, — жиIащ Къанокъуэ Арсен. Парламентым хэт фракцэхэм я Iэтащхьэхэр абыкIэ акъылэгъу хъуащ икIи къыхагъэщхьэхукIащ цIыху нэхъ жыджэрхэр, жэрдэм зыхэлъхэр, зи жылагъуэм, районым, къалэм къыщхьэщыжыфынухэр жылагъуэ парламентым хэгъэхьэнымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм егупсысын зэрыхуейр. Апхуэдэ цIыхухэрщ сыт хуэдэ Iуэхуми и пэжыпIэр зыгъэIуфынур. ЩIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ советхэм я сессиехэм, къуажэ зэхуэсхэм зрегъэхьэлIэн икIи цIыхухэм ядэлэжьэн хуейщ. ЗэIущIэм хэтахэм къызэралъытэмкIэ, щIыналъэм и депутатхэм, хэхакIуэхэм апхуэдэ дыдэу ядэлэжьэн хуейщ УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэмрэ ФедерацэмкIэ Советым хэтхэмрэ. Иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ ФедерацэмкIэ Советым цIыхуих хэтщ, ауэ абыхэм ящыщ языныкъуэхэр щалъхуа щIыналъэм щIэх-щIэхыурэ къэкIуэжыркъым. КъБР-м и Iэтащхьэри абыкIэ акъылэгъу хъуащ: — ИкъукIэ тэмэму гу лъыфтащ. Абы къегъэлъагъуэ дэтхэнэри ди щIыналъэм зэрытелажьэр, абы и сэбэп зыхэлъхэм къызэрыщхьэщыжыр. Къанокъуэ Арсен къызэрилъытэмкIэ, федеральнэ депутатхэмрэ сенаторхэмрэ щIыналъэм и Iуэху зыIутым щыгъуазэу щытыпхъэщ. Абы къыщымынэу, зэфIагъэкIа лэжьыгъэм теухуа отчет абыхэм республикэм и Парламентым щащIын хуейщ. ЗэIущIэм хэтахэм зэхуаIуэтащ субъектым и Iэтащхьэм и полномочиехэр зэрыратым, участкэ хэхакIуэ комиссэхэр къызэрызэрагъэпэщым, бюджетым и хэщIхэр нэхъыбэу социальнэ IэнатIэм зэрытрагъэкIуадэм езыхэр зэреплъыр. Къанокъуэ Арсен жиIащ гъэ къэс Парламентым зэрызыхуигъазэ тхыгъэм зэрелэжьыр икIи къыхигъэщащ а документым фIэкIыпIэ имыIэу къыщыгъэлъэгъуэн хуей Iуэху нэхъыщхьэхэм депутатхэр зэреплъыр хуагъэхьмэ, тэмэму къызэрилъытэр. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24767.txt" }
Сабиигъуэ насыпыфIэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24773.txt" }
«Дахагъэ» Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту илъэс еплIанэ хъуауэ Налшык щолажьэ киноклуб. Ар къызэрагъэпэщащ кино творчествэм дихьэх Хъэлил Болэт, Къуэдзокъуэ Тимур, Коваленкэ Кирэ сымэ. Клубым и къалэн нэхъыщхьэр къалэдэс щIалэгъуалэр дахагъэ нэсыр зи щIысым хэгъэгъуэзэнырщ. Абы папщIэ ахэр зэхуосри дунейм, гъащIэм и лъэныкъуэ нэхъ телъыджэхэр къызыхэщ кинофильм купщIафIэхэм йоплъ, иужькIэ я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэдогуашэ. ЩIалэгъуалэ клубым и зэIущIэхэр мазэ къэс, иужь щэбэтым техуэу КъБКъУ-м и кинозалым щызэхэтщ. Абы и бжэр хэткIи зэIухащ. Къапщтэмэ, иужьрей мазэ зы-тIум студент ныбжьыщIэхэр еплъащ Вильсмаер Йозеф и «Спящий брат», Симон Джордж и «Чудо на 34-й улице», Джармуш Джим и «Мертвец» фильм цIэрыIуэхэм. Клубым къекIуэлIахэм, хамэ къэрал фильмхэм я мызакъуэу, урысей режиссер нэхъыфIхэм я IэдакъэщIэкIхэми зыхагъэгъуазэ. Абыхэм яфIэхьэлэмэтщ лъэпкъ тхыдэм, дуней тетыкIэм теухуауэ ди къэралым и щIыналъэ щхьэхуэхэм щагъэхьэзыр фильмхэри. НыбжьыщIэхэм зэрыжаIэмкIэ, къыдэкIуэтей щIэблэм я къэухьым, я дуней еплъыкIэм, я гупсысэм зиужьын папщIэ дунейпсо утыкум ирахьа IэдакъэщIэкIхэм фIыуэ хащIыкIыу щытын хуейщ. Кинозалым щагъэлъагъуэ фильмхэм лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэр къызэщIаубыдэ, блэкIами, ди нобэми щыгъуазэу икIи зэман пыухыкIахэр зэрагъэпщэфу есэн папщIэ. «Лэгъупыкъум ищхьэжкIэ» фIэщыгъэм щIэту лажьэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм хэтхэмрэ «Дахагъэ» клубымрэ зэгъусэу лышх узыфэр зыпкърыт сабийхэм зэрахуэупсэн тыгъэхэр иджыблагъэ зэхуахьэсащ. АбыкIэ къащэхуащ хущхъуэгъуэхэмрэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ. Дахагъэр, гуапагъэр, гущIэгъур и гъуазэу зи лэжьыгъэр зэтезыухуа зэгухьэныгъэм къыхыхьэ щIалэгъуалэм я бжыгъэм къыхэхъуэ зэпытщ. Япэ зэхуэсым абы цIыху 20 хэтамэ, иджыпсту абыхэм я бжыгъэр хуэди 3-кIэ хэхъуащ. Клубым зи чэзу еплъыныгъэхэр щIышылэм и 26-м КъБКъУ-м физикэмрэ математикэмкIэ и къудамэм, пщыхьэщхьэр сыхьэти 6-м щригъэкIуэкIынущ. Абы щагъэлъэгъуэнущ Тарков-скэм триха «Андрей Рублев» фильмыр. Къыхэгъэщыпхъэщ, киноклубым и проектыр гъэ кIуам Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIа «Мэшыкъуэ-2012» урысейпсо щIалэгъуалэ форумым щагъэлъэгъуахэм зэращыщри. Жанхъуэт Зузэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24776.txt" }
Япэу къыхагъащIэ Гъатхэпэм щIэзыдзэжыну Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым и кIэух зэхьэзэхуэм зыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ Тыркум щригъэкIуэкIащ. Нэгъабэ Болгарием и лигэ нэхъыщхьэм хыхьа «Пирин»-р а гъэ дыдэм Урысей Федерацэм и премьер-лигэр зыбгына «Спартак-Налшыкым» нэхърэ нэхъ лъэщу къыщIэкIащ. Джэгум и пэщIэдзэм щегъэжьауэ налшыкдэсхэм тепщэныгъэр яIыгъащ. Апхуэдэу зэIущIэм зэрыщIидзэрэ куэд дэмыкIауэ, ди гъуащхьэхъумэ Овсиенкэ зэуа топыр штангэм техуащ. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ «Спартак-Налшыкым» и футболистхэр тIэунейрэ къыхэжаныкIащ, арщхьэкIэ абыхэм дагъэкIа топхэр судьяхэм хабжакъым. КъищынэмыщIауэ, Гъуэщокъуэр и закъуэу гъуэм бгъэдыхьащ, ауэ гъуащхьэтетым ебзэджэкIыфакъым. Арати, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэтхэм я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм зы топи дагъэкIыфакъым. Абы щыгъуэми, болгархэм я ебгъэрыкIуэныгъэ мащIэхэм ящыщ зым ехъулIэныгъэр къахуихьащ икIи 1:0-у ди щIалэхэр къыхагъэщIауэ зэIущIэр иухащ. Нобэ джэгугъуитI зэуэ налшыкдэсхэм ирагъэкIуэкIынущ. Япэ щIыкIэ Къэзахъстаным и «Астана»-м IущIэнущ, къыкIэлъыкIуэу Украинэм и «Ворскла»-м пэщIэтынущ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24779.txt" }
Тхылъеджэ ерыщхэр Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм Налшык къалэдэсхэм тхылъ къыщыIах и къудамэм щрагъэкIуэкIащ «Тхылъеджэм Iэгуауэ хуэфIэт» зыфIаща зэпеуэ. Зэхыхьэр къызэзыгъэпэща икIи езыгъэкIуэкIа къудамэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Магомедхановэ Жаннэ игъэува «Тхылъеджэ» гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэр яфIэгъэщIэгъуэну еплъащ. Абы хагъэхьат щIэджыкIакIуэхэм яхуэгъэза журнал, тхылъ зэхуэмыдэ куэд. Апхуэдэ-хэщ «Хранители прошлого», «Читаем вместе» журналхэр, Кунин Виктор и «Корабли мысли: английские и французские писатели о книге, чтении», Ласло Мегаирэ Чаба Рекаширэ зэдатха «Книжка о книжке», Голубевэ Ольгэ и «В мире книжных сокровищ» тхылъхэр, нэгъуэщIхэри. Къыхэгъэщыпхъэщ, мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэм тхылъеджэхэр библиотекэм къешэлIэнымрэ тхылъым гъащIэм щиIэ мыхьэнэр абыхэм захегъэщIэнымкIэ сэбэп зэрыхъур. Польшэм и тхакIуэ Василевский Эдмунд и псалъэхэр мыбдеж щапхъэу къэсхьыну сфIэигъуэщ: «Тхылъхэр гъуэгу пэжыр уэзыгъэлъагъу, щыуагъэм ущызыхъумэ ныбжьэгъу Iущхэщ, гумащIэхэщ, уи сабиигъуэми, уи щIалэгъуэми, уи жьыгъэми закъуэныгъэр зыхозымыгъащIэщ, къару къыпхэзылъхьэщ». Зэпеуэм кърихьэлIащ библиотекэм и къудамэхэм щIэх-щIэхыурэ къакIуэ щIэджыкIакIуэхэр. Зэхьэзэхуэр Iыхьэ зыбжанэу гуэшат. Псалъэм папщIэ, «Тхылъеджэ нэхъыщIэ дыдэ» зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №5-м и 9-нэ классым щеджэ Лыджыдэ Рафшанэ, «ШколакIуэ тхылъеджэ ерыщ» зэпеуэм щытекIуари, а школ дыдэм и 9-нэ классым щIэс Къуныжь Дианэщ, «Студент тхылъеджэ ерыщ» хъуащ КъБКъУ-м щеджэ Шыбзыхъуэ Радимэ, «Тхылъеджэ жыджэр» цIэр хуагъэфэщащ КъБКъУ-м и тхыдэ къудамэм и магистратурэм щIэс Азнаур Залинэ, «Тхылъеджэ Iущ дыдэ» хъуащ Бауманым и цIэр зезыхьэу Москва щыIэ университетым и 3-нэ курсым щеджэ Гъурф Дианэ. Зэпеуэм къыхэжаныкIа тхылъеджэхэм библиотекэм щылажьэхэм фIыщIэ псалъэхэмкIэ зыкъытхуагъэзащ, республикэм зиужьыным, ефIэкIуэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIыну зи мурад щIэджыкIакIуэхэм яхуэтщIэ Iуэхутхьэбзэхэр псыхэкIуадэ зэрымыхъур зэрагуапэр къыхагъэщащ. Зэхыхьэр ягъэдэхащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым щеджэхэу Доткъул Ланэрэ Онар Гюльшахрэ. БЕЗЫР Еленэ, Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24782.txt" }
Адыгагъэр цIыхугум къыщожьэ Нобэ узыщыгуфIыкI хъуну Iуэхугъуэщ лъэпкъым, бзэм, адыгэ хабзэм иригузавэ щIалэгъуалэ дызэриIэм. Абыхэм я гупсысэкIэм ущыкIэлъыплъкIэ, уи фIэщ мэхъу адыгэ лъэпкъым къэкIуэну дахэ зэриIэр. Апхуэдэ щIалэщ Шыбзыхъуэ Астемыр. Ар КъБКъУ-м и экономикэ къудамэм и студентщ. Къыхиха IэщIагъэр фIыуэ елъагъу, и гум хэлъщ. Ауэ а IэщIагъэ къудейм и гупсысэр триукъуэдиеркъым. Астемыр щыплъагъунущ адыгэ Iуэхум теухуа пшыхьхэм, зэIущIэхэм. Уеблэмэ, кIэлъыплъакIуэ къудейуэкъым, атIэ къызэгъэпэщакIуэхэм яхэту. Илъэс 20 фIэкIа мыхъу щIалэм гупсысэ тэмэм зэриIэр къыдгурыIуащ, абы депсэлъылIа нэужь. ЦIыху хьэл-щэным и къежьапIэр сабиигъуэм къыщалъыхъуэ хабзэти, сэри Астемыр сеупщIащ: Шыбзыхъуэ Астемыр — Сыт хуэдэт уи сабиигъуэр, абы теухуа гукъэкIыж куэд уиIэ? — Сыкъыщалъхуар Къамылыкъуэщ. Абы сыдэсащ пэщIэдзэ школыр къэзухыху. ИужькIэ Налшык дыкъэIэпхъуащ. Сабиигъуэм и гугъу сщIыкIэрэ, занщIэу си гур мажэ махуэ псом зыдгъэпскIыу дызыхэса Балъкъ, диIа джэгукIэхэм я деж. Хьэблэ щIалэ цIыкIухэм я гъусэу губгъуэм футбол сыщыджэгурт. ПщIантIэм дыдыхьэжми дытезыгъэун дгъуэтырт: гъуэрыгъуапщкIуэ, къиукIыкI, нэгъуэщI куэди. Сехъуапсэртэкъым гъэмахуэм лагерь сыкIуэн. Сыт щыгъуи къуажэрт, хьэблэ щIалэхэрт къыхэсхыр. — Экономист IэщIагъэр дауэ къыхэпха хъуат, Астемыр? — СызэрыцIыкIурэ сызэхъуапсэу щытар тхыдэращ. Ауэ сызыщIэтIысхьар нэгъуэщIщ. 2007 гъэм къуажэ школыр къэзухащ — классибгъущ сызэджар. ЕджапIэ щIэтIысхьэн Iуэхур къэхъейри, си адэм сызыхэдэну IэщIагъэхэр зэрыт тхылъымпIэ напэр къысхуихьащ. «Менеджмент организации» жыхуиIэр си нэм къыфIэнати, сыщIэупщIэурэ, абы теухуа хъыбархэр зэзгъэщIащ. КИТЭ-м ар 2010 гъэм къыщызухащ. Иджы а унэтIыныгъэм университетым щыпысщэжащ. IэщIагъэр си гум ирихьу сыхуоджэ, ауэ сызэхъуапсэу щыта тхыдэри IэщIыб сщIакъым. Абыи зэман хъарзынэ тызогъэкIуадэ. Гупсысэм лъэныкъуэ куэдкIэ зебгъэужьмэ, гури нэхъ гъэнщIа мэхъу. — ИджыпстукIэ сыт хуэдэ Iуэху удихьэхыу узыхэтыр? — Iуэху дызощIэ КъБКъУ-м ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэкIэ щыIэ Адыгэ щэнхабзэмкIэ центрым. Абы щагъэхьэзыр пшыхьхэм, зэIущIэхэм сэбэп сыщохъу. КъБКъУ-м и студсоветым сфIэфIу сыхэтщ. Гукъинэжу едгъэкIуэкIащ адыгэ ныпым, адыгэ фащэм я махуэхэр. Адыгэ фащэр зыхуэзгъадэ щыIэххэкъым, апхуэдизу ар си гум фIэфIщи. ЩIалищ дыхъуу — Щоджэн Астемыр, Ныр Мурат, сэ — фащэр щыдотIагъэри, махуэ къызэрыгуэкIхэм къалэм къыщыдокIухь, лекцэхэм ар тщыгъыу дыщIэсщ. Си гугъэт, ди фащэр нэхъыбэм зэрахьэну, ар зэрылъапIэм къимыгъэувыIамэ. Сыту жыпIэмэ, срихьэлIащ ар гукъеуэу зиIэ щIалэгъуалэ куэд. Шэч хэмылъу, къэралым а Iуэхум зыгуэр хуещIэнущ, и ужь ихьэмэ. — Адыгэ Iуэхум псэкIэ упыщIауэ укъызэрыдэкIуэтеям сэбэп хуэхъуауэ къэплъытэр сыт? УзэреплъымкIэ, цIыхум и гъэсэныгъэм къалэн нэхъыбэ щызыгъэзащIэр унагъуэра, школра, ныбжьэгъура, хьэмэрэ?.. — Сэ езыр согупсыс абы куэдрэ. Псалъэм папщIэ, апхуэдэ дыдэу адыгэм и Iуэхум иригузавэ ди лъэпкъым хэткъым. Апхуэдэ зыгуэр щыIамэ, сыдэплъейуэрэ адыгэ Iуэхум сыдихьэхащ жысIэнт. Си лъым хэту сыкъалъхуауэ арагъэнщ. Къуажэ школым сыщыщIэсым адыгэбзэмкIэ есэп щыдиIэ классым фIэлъу щытащ «Адыгэ лъэпкъхэр» жиIэу картэшхуэ. Абы сфIэгъэщIэгъуэну сеплъырт. Си нэгум щIэтщ иджыпстуи. СыкъыдэкIуэтеиху, лъэпкъым хузиIэ лъагъуныгъэр, пщIэр нэхъ ин хъурт. Гъэсэныгъэм и гугъу пщIымэ, си гугъэкъым ар унагъуэ къудейкIэ е школым и закъуэкIэ убзыхуа хъуну. ЗэдэIэпыкъун, зызэщIэгъэкъуэн хуейщ. — Нобэ адыгэбзэм и Iуэхум дауэ уеплърэ. Хэплъэгъуэ хьэмэрэ ущIэгузэвэнышхуэ щымыIэу къэплъытэрэ? — Зымахуэ интернетым сыкъыщеджащ, Къэбэрдейм ис адыгэхэм ящыщу адыгэбзэм нэгъэсауэ ирипсалъэр процент 15 фIэкIа мыхъуу. Сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ ущеплъми, а бжыгъэм уегъэгузавэ. Апхуэдэурэ дыкIуатэмэ, урысыбзэм дызэщIищтапэу, ди бзэр тфIэкIуэдыныр шынагъуэщ. Абыи къыдэкIуэу, еджапIэхэм адыгэбзэм хухах сыхьэт бжыгъэр мащIэ дыдэ ящIащ. Ауэ сэ зыщ сызыгъэгуфIэр: щIалэгъуалэм яхэтщ зи гур лъэпкъ Iуэхум къыхуэушхэр, абы теухуауэ хъыбар гуэр захебгъэхмэ, япхъуатэу адэкIэ зыгъэкIуэтэну хьэзырхэр. Иджыпсту интернетым щолажьэ бзэм и пщIэр зыхъумэ щIалэ гуп. — Астемыр, уэ интернетым къыщызэбгъэпэщащ адыгэ гъащIэм теухуа гупхэр… — «В контакте», «Одноклассники» сайтхэм къыщызэзгъэпэщащ «Адыгэ гуп», «Адыгэ спорт», «Адыгэ щIыналъэ», «Адыгэ дуней тетыкIэ», «Египетым и мамлюкхэр», «Адыгэ уэрэдыжьхэр», «Дызэрыгушхуэ цIыхухэр» гупхэр, нэгъуэщIхэри. Я фIэщыгъэхэм къызэрыбжаIэщи, адыгэм и хабзэм, Iуэху зехьэкIэм, тхыдэм, бзэм теухуа псалъэмакъхэр идогъэкIуэкI, щхьэж и Iуэху еплъыкIэ утыку кърелъхьэ. Си гугъэщ, ди Iуэхур ефIэкIуэнымкIэ ахэри зыгуэркIэ сэбэп хъууэ. — СызэрыщыгъуазэмкIэ, уэ усэ уотх. Сыт абы уи гур къыхуэзыгъэушар? — ЕтIуанэ классым сыщIэсу арат зыгуэрхэр стхыну сигу къыщихьам. Сыщысабийм стхаIами хыфIэздзэжащ. Иджы сыщIогъуэж, иджыпсту ахэр сиIэжатэмэ, сфIэгъэщIэгъуэну седжэжынут. Пэжу, усэкIи уеджэ хъунутэкъым абыхэм, ауэ си гум илъ гуэрхэр сэтей къэсщIт. Зэпызгъэужри, зыкъомрэ а Iуэхур си гупсысэми хэтыжакъым. Илъэс 18 сыхъуауэ, усэ тхыныр сигу къихьэжащ. АрщхьэкIэ, урысыбзэт сызэрытхэр — нэхъыбэрэ зэхэсхыр арати, абыкIэ сыгупсысэ хъуауэ къыщIэкIынут. ИужькIэ, Къаныкъуэ Заринэ срихьэлIэри, адыгэбзэкIэ сытхэну чэнджэщ къызитащ. Гукъеуэу, гурыфIыгъуэу сиIэхэмкIэ си бзэмкIэ тхылъымпIэ напэм сыдэгуашэу щIэздзэри, къызэхъулIэу къысщыхъуащ. Къаныкъуэм къызэригъэпэща «Гугъэ» зэпеуэми си усэ гуп езгъэхьащ. КъызгуроIуэж щыуагъэ зэрыхэтри, ахэр нэщIысыпауэ зэрыщымытри, ауэ адэкIэ сыкIуэтэну гукъыдэж сиIэщ. Абы сытми сытрегъэгушхуэ. Нэхъыбэу си усэхэр зытеухуар сыкъызыхэкIа лъэпкъырщ, анэдэлъхубзэрщ. Ахэращ нэхъ сызыгъэгузавэр, сызыгъэпIейтейр. — Адыгэ лъэпкъым сыткIэ ухуэхъуапсэрэ? — «Адыгэ лъэпкъ» псалъэхэм къызогъэтIасэ бзэр, хабзэр, щIыналъэр. Си Хэкум сызэрыхуэхъуапсэри?! Хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къагъэзэжауэ, адыгэ хабзэр адыгэщIым щызетхьэу, ди бзэр тхуэгъэшэрыуэу дыпсэуну! Ар лъэпкъым и нэгу щIэкIыну сохъуахъуэ! Ди гуапэщ Астемыр и ныбжьым емылъытауэ гупсысэ дахэ зэриIэр, лъэпкъ Iуэхури игъэкIуэтэну ущыгугъ зэрыхъунур. Абы и деж щынэрылъагъущ адыгагъэр цIыхугум къызэрыщежьэр. Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24787.txt" }
Ислъамым и нур 2013 гъэм и муслъымэн махуэ лъапIэхэр Бадзэуэгъуэм (июлым) и 9-м — нэщI мазэм щIедзэ. ШыщхьэIум (августым) и 3-4-м и жэщыр — къэдэр жэщщ. ШыщхьэIум и 8-р — нэщIикIыж хьидщ. Жэпуэгъуэм (октябрым) и 14-р — хьэжыщIщ. Жэпуэгъуэм и 15-17-р — къурмэн хьидщ. ЩэкIуэгъуэм (ноябрым) и 4—р — муслъымэн махуэрыбжэмкIэ 1435 гъэр къохьэ. ЩэкIуэгъуэм и 13—р — IэшрыIщ. Гу зылъытапхъэ: мазэр къыщыунэхум елъытауэ мы махуэхэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр ягъуэтынкIэ хъунущ. ПщIэну щхьэпэщ Тутыныр хьэрэмщ Ислъам диным игъэхьэрэмахэм ящыщщ тутын ефэнри. КъурIэн ЛъапIэм итщ: «Алыхьым и хьэтыркIэ зыфхъумэ икIи фи IэкIэ зывмыукIыж. Псапэ фщIэ, сыту жыпIэмэ, Алыхьым псапащIэхэр фIыуэ елъагъу» (сурэ 2, Iэят 195). НэгъуэщI Iэятми къыщокIуэ: «Фэ езым зывмыукIыж» (сурэ 4, Iэят 29). Тутынхэм цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъу куэд хэлъщ, наркотик щабэхэри яхэту, икIи а щхъухьхэр жьэдишэкIэрэ абы хуэмурэ зеукIыж. Аращ ислъам диным хьэрэм щIищIари. Инджылыз щIэныгъэлIхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къарикIуахэри тутыныр зэрызэраным щыхьэт наIуэ тохъуэ. Лондон дэт пащтыхь колледжым щыкIэлъыплъащ цIыху 8800-м я узыншагъэм тутыным къахуихьым. Къэхутэныгъэхэр зэпагъэуурэ илъэсиплIкIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы иужь- кIэ щIэныгъэлIхэм хьэкъ ящыхъуащ тутыным узыншагъэм хэщIыныгъэшхуэ зэрыритыр. ЦIыхум и тхьэмбылымрэ тхьэмщIыгъумрэ къищынэмыщIауэ ар хуабжьу къытохьэлъэ щхьэ куцIми. Зэман докIри тутынафэр щыгъупщэх мэхъу, абы и акъылыр мэутхъуэ. Хьэдисхэр ХьэрэмкIэ фызэмыIэзэ Зывгъэхъуж, хущхъуэ зэфхьэлIэ, ауэ хьэрэмкIэ фызэмыIэзэ. Iиманыр сыту дахэ щIэныгъэкIэ гъэщIэрэщIамэ. ЩIэныгъэр сыту фIы лэжьыгъэкIэ гъэнщIамэ! Лэжьыгъэр сыту щхьэпэ щабагъэкIэ гъэщIэрэщIамэ! ЩIэныгъэмрэ тэмакъкIыхьагъымрэ, зэфIэкIымрэ гъэгъуныгъэмрэ зэгъусэ хъумэ, абыхэм нэхъ зэныбжьэгъу дахэ бгъуэтынкъым. ЦIыхум и гумкIэ Алыхьым зыхуигъазэмэ, Алыхьым муслъымэнхэм я гур абы и дежкIэ къигъэзэнущ. Зы гуэныхь пIэщIэкIыхукIэ, абы зы тобэ къыхуэхьыж. ЩIым тет щIэныгъэлIхэр уафэм ис вагъуэхэм яхуэдэщ: ахэр къэлыдмэ — цIыхухэм гъуазэ яхуохъу, загъэпщкIужмэ — Iэбэлъабэу псори къызэхонэ. КъэзыгъэщIар гукъэкI зыщIымрэ Ар зыщыгъупщэмрэ ещхьщ псэумрэ лIамрэ. Телъыджэ КъурIэныр гукIэ зыщIа хьэфиз Алыхьым и къарур инщ, абы щыгъуэми зи нэм имылъагъу куэдым я гум щыушэ дахагъэм, зыгъэпIейтея дакъикъэхэр ягъэлъапIэу гущIэм зэрыщахъумэфым укъегъэуIэбжь. Нэр зыщыщIэ нэхугъэр гум щызэтрихьэу къыщIэкIынущ. Зи нэм имылъагъу гурыхуэхэм ящыщт Зеикъуэ къуажэм дэса Джэдгъэф ТIабыл и къуэ Жантемыр (1900 — 1968 гъэхэм псэуащ). 1907 гъэм Кавказ Ищхъэрэм къихьа фэрэкI узыфэм илъэсибл ныбжьым ит Жантемыр хьэфиз ихъукIащ. ЗыцIыхуу щытахэм зэрыжаIэжымкIэ, и нитIым зэрамылъагъужым ар гуитIщхьитI ищIакъым: нэхъапэхэми хуэдэу, и ныбжьэгъухэм ядэджэгурт, къижыхьырт, гъащIэм щыгуфIыкIырт, мэжджытым кIуэрейт. Ислъам диныр апхуэдизу пхыкIати, илъэсипщIым и кIуэцIкIэ КъурIэн ЛъапIэр абы гукIэ зригъэщIащ. Балигъ хъуауэ щIидзэри и гъащIэр иухыху муIэзину мэжджытым щыIащ, молэм и къалэнхэр щигъэзэщIаи куэдрэ къэ- хъуащ. Муслъымэнхэр тхьэ елъэIуну къызэрыхуриджэ абы и макъ жьгъырур зэрыIуу, цIыхухъу балигъхэр мэжджытым зэрыхьырт… И къэшэгъуэ хъури, щIалэм и къуэшхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ ящIыгъуу къыхуагъэфащэр зыдэс гъунэгъу къуажэ Къулъкъужын яунэтIащ. Пщащэм «удж» къыдэфа нэужь, Жантемыр жиIащ: «Ныбжьэгъухэ, пщIэншэрыкIуэ дыхъуащ, пщащэр си гум дыхьакъым»… Къежьэжауэ къыздэкIуэжым, и ныбжьэгъухэр щауэм къыдэгушыIэу и закъуэу къагъанэри, езыхэм япэ зыкърагъэщащ. АрщхьэкIэ бжьыхьэ пшагъуэ Iувым хэзэрыхьахэр гъуэгум щыгъуэщащ. Адыгэш губзыгъэм дзыхь хуэзыщIа Жантемыр лъэпощхьэпо хэмыту унэм нэсыжащ. 1928 гъэм Жантемыр щхьэгъусэ хуэхъуащ и гъунэгъу хъыджэбз тхьэIухуд, илъэс 40-кIэ насыпыфIэу зыдэпсэуа Къып Хъанэ. Зэщхьэгъусэхэм зэдагъуэта щIалищымрэ хъыджэбзымрэ къуэрылъху-пхъурылъхухэр, абыхэм я быныжхэр къатепщIыкIыжащ. Жантемыр зи пщIэр, щIыхьыр зыхъумэ щIэблэ иIэщ. Жантемыр цIыхум ягу къинащ и нэхэм ямылъагъу пэтрэ, зэфIэкI телъыджэхэр зэриIамкIэ. Шым телъэщIыхьмэ, ар зыхуэдэ лъэпкъыр абы и цымкIэ къищIэрт. Гугъу демыхьу зэхигъэкIырт жыг лIэужьыгъуэхэри. Щыуагъэншэу гъущI, тхылъымпIэ ахъшэхэр ибжырт. Жэмхэм я бу макъымкIэ зейр къищIэрт. Зэгуэр псалъэу зэхиха цIыхур и макъымкIэ щIэх дыдэу къицIыхужырт. Зэ къыщикIухьа щIыпIэм щыгъуащэртэкъым. Жантемыр хуэжьакIуэт балъкъэрыбзэми урысыбзэми. Унагъуэ Iуэхуми хэзагъэрт: Iэщым шхын яритырт, пхъэ икъутэрт, жэм къишырт. Джэдгъэф Аслъэмырзэ. Хъыбар пэж ЩIыхуэр ахърэтым къыщыпхуэгъуну? ЩIыхуэр щыфIыр и чэзум щыптыжырщ, атIэ умыпшыныжауэ ахърэтым ущахьым и дежкъым, е зрумыпшыныжам щхьэкIэ тезыр къыптралъхьэну жыхьэнмэм ущашэракъым. Я лъахэм ирашауэ щыта балъкъэрхэм щIэину къытхуагъэна шыдхэмрэ шыдыгухэмрэ зауэм и Iэужь Iейхэр щыдгъэкIуэдыж зэман гугъухэм щыгъуэ къытхуэсэбэпащ. Мэзым пэгъунэгъу къуажэдэсхэм гъэсэныгъэм къищынэмыщIауэ, ухуэныгъэм ирахьэлIэ пхъэкIэбжьэкIэхэр, мэз пхъэщхьэмыщхьэхэри, чы- бжэгъухэри шыдыгукIэ мэзым къыщIашурэ ящэрт, яхъуэжт, арщхьэкIэ къыщIаха ахъшэр куэдыщэ хъу налогхэр ирырапшыныну ирикъуртэкъым. Зы махуэм зэ мэзкIуэгъуэм шыдыгукIэ къахуэшэрт чий 13 къызыхэкIын чы-бжэгъу. ЕтIуанэ махуэм чийхэр яхут-ящIт, ещанэм бэзэрым яшэрти, ящэрт. Махуищ лэжьыгъэ текIуадэрт чий13-м, ауэ гуащIэдэкIым къыпыкIа фейдэр нэхъ ягъэлъапIэрти, лэжьыгъэр зэ-пыуртэкъым. Гугъуехьымрэ Iэмалыншагъэмрэ къыхэкIкIэ чийр къуажэ гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувауэ пщIэ щызиIэ хьэпшып, унэлъащIэхэм хуэдэу уасэ иIэрэ ящэ-ят, яхъуэжу, щIыхуэр зэIэпахрэ псапи гуэныхьи кърахьу хъуат. Куэдрэ къэхъурт чий щIыхуэ зытамрэ зритамрэ щызыщыхьэжи щызэлъимыхьэжи. ТIатIуш зауэм кIуахэм нэхърэ нэхъыжьыIуэти абы ямыгъэкIуауэ вым хуэдэу колхозым хэлэжьыхьт, къэмыланджэу. ЛэжьакIуэ къыщикIыжкIэ, шыдыгукIэ чы-бжэгъу тIэкIу къыздишэурэ ар чий ищIт. Игъэхьэзырауэ чий 40 иIэт, ар 100 ирикъум иришажьэрэ ихъуэжын и гугъэу. Нэхъ зыхузэфIэкIхэм къуажэм чий къыщащэхуурэ Ставрополь яшэрт, гуэдзкIэ, джэдкъазкIэ яхъуэжт, ахъшэкIи ящэрт, къахэхъуар налогыу ятт. Жыжьэ къикIыурэ къуажэм чийщэху къыщыкIуи щыIэт. Щымыгугъыххауэ къыкIэрыхъыжьэри, ТIатIуш и чийхэр и гъунэгъу Хьэтыхъу щIыхуэу Iихат махуипщIкIэ къритыжыну жиIэри. Къритыжакъым мазищкIи, мазитхукIи, нэхъыбэкIи. Куэдрэ ТIатIуш и щIыхуэм кIэлъыкIуащ, «А чий тIэкIум укъыхуэна?», жиIэурэ. «СиIэу нэзмыхьыж уфIэщIрэ?», къыщыжриIи щыIэт, махуэ къэс пщэдей пIалъэу къритт. ЗэгъунэгъуитIыр чий щIыхуэм зэбий ищIати зэкIэлъыкIуэжтэкъым. ТIатIуш къэгубжьри, «пщэдейр» къиукIыну фоч нэщIыр иIыгъыу и гъунэгъум и деж екIуэкIащ. Хьэтыхъу фIыуэ ищIэрт чий щIыхуэ зытелъым суд зэрытрамыщIэри, абы щхьэкIэ тралъхьэну тезырым и щапхъэр Уголовнэ кодексым зэримытри фIэмыIуэхуххэу фоч зыIыгъыу къэкIуа гъунэгъум жриIащ: «Фоч пIыгъыу укъыщежьакIэ фронтым кIуэи нэмыцэ фашистхэм яхэзэухь». ТIатIуш къыгурыIуат и гъунэгъум епхъэшэкIыныр Iуэхур зэрызэфIэпхын хэкIыпIэу зэрыщымытыр. Арати, къуажэм пщIэшхуэ щызиIэ лIыфI лIауэ абы и дыуэщIым дэс лIыжьхэм чэнджэщкIэ захуигъэзэну игу къэкIащ, нэ-хъыжьхэр дэIэпыкъуэгъу къищIын мурадкIэ. «Мы напэншэм мазих хъуауэ си чий 40 щIыхуэу сIихащи, къызитыжыркъым. Сыт хуэдэ тезыр мыбы телъхьапхъэр?», — жиIэу щеупщIым нэхъыжьхэр Iуэхум егупсысащ. ЛIыжьхэр абы тепсэлъыхьащ икIи шхыдэу щIадзащ. ЖаIэрт щIыхуэр умыпшыныжыныр муслъымэныгъэкIи хабзэкIи зэрымыдурысыр, зэрыгуэныхьышхуэр, умыпшыныжауэ птель чий щIыхуэри къэбдыгъуа мылъкумрэ былымхэмрэ зэрыхуэдэр икIи жыхьэнмэм узэрыхуишэнур. Зы лIыжьым жиIащ Хьэтыхъу нэмыплъ етыпхъэу, цIыхубэм зэхамыгъэхьэу Iумпэм щIын хуейуэ. ЕтIуанэми тригъэчыныхьащ мэжджытми, гуфIэгъуэ зэхуэсхэми щIыхуэ зытелъыр щыгъэпудыпхъэу, уеблэмэ къуажэм дамыгъэсу дэхупхъэу. И чэзур къыщысым къуажэ ефэндыми фIэзахуэр жиIащ. Абы къиIуэтэжащ япэм щIыхуэ телъу лIам и щIыхуэр и Iыхьлыхэм, къыдалъхуахэм е и бынхэм хуапшыныжыху и хьэдэр пщIантIэм дагъэлъу зэрыщытамрэ а щIыхуэ умыпшыныжар ахърэтым бэлыхь хьэзабищэкIэ къызэрыщытехуэжынумрэ. АдэкIэ къыпищащ нобэ Хьэтыхъу лIэм я кхъэм щIалъхьэну зэрымыдурысыр, и щIыхуэр хуапшыныжыху и хьэдэр пщIантIэм зэрыдэлъыпхъэр. Дауи, ефэндым и псалъэхэр куэдым ягу ирихьащ. Уеблэмэ езы Хьэтыхъу ищIам хущIегъуэжат, Iичрам къихьыжат. ЛIыжьхэм я псалъэмакъ щхьэпэхэм едэIуа нэхъыщIэIуэр къэпсалъэри ауан, щIэнэкIалъэ хэлъу ТIатIушым жриIащ: «Умыгузавэ ТIатIуш, уи чий щIыхуэр Хьэтыхъу етхулIэнщи къемэт махуэм залымыгъэкIэ ахърэтым къущедгъэтыжынщ, процент тIэкIукIэ нэхъыбэIуэ хъуауэ». ГушыIам хуэфэщэн жэуап ТIатIуш иритыжащ: «Уи адэм ипсэщ ар, ахърэтым чий зеплъафэу узэрыщагъэIэнур. Абы чий щыIэ? Си чий щIыхуэ ахърэтым къыщызитыжми къысхуэщхьэпэжыну, абыхэмкIэ ахърэтыр къэсхухьыну хьэмэрэ сщэуэ налогхэр иристыжыну? ». КъыхужаIэ псоми едэIа Хьэтыхъу лIыжьхэм захуигъэзащ: «Нобэрей дыуэщIым къысхужыфIа псори си дежкIэ дерс щхьэпэ защIэщ, фIыщIэ фхузощI. Иджыри къэс сымыщIа куэдым сыщывгъэгъуэзащи, фи псапэр куэд ухъу! Фыкъызогъэгугъэ адэкIэ щIыхуэр зытезмыгъэлъыныуи, фи губгъэн къэзмыхьынуи. Схуэфащэщ, сыарэзыщ ар сымыпшыныжауэ сылIэм си хьэдэр пщIантIэм дэвгъэлъыну. Пщэдей щыщIэдзауэ ТIатIуш и щIыхуэр зэрыспшыныжынум селэжьынущ, Iуэхутхьэбзэшхуэ къысхуэфщIащи, си гуэныхьыр сщхьэщыфха хуэдэщ. Ди Тхьэшхуэм солъэIу си щIыхуэр сыпшыныжыху схурикъун узыншагъэрэ гуащIэдэкIрэ къызиту ажалым тIэкIу пIалъэкIэ пэIэщIэ сищIыну». ДыуэщIым дэтхэм я гуапэ хъуат Хьэтыхъу и псалъэхэмрэ абы къигъэзэжауэ гуэныхьыншэу гъащIэ гъуэгум теувэжыну зэримурадымрэ. Куэд дэмыкIыу Хьэтыхъу и чий щIыхуэр игъэхьэзырыжащ. И гъунэгъумкIэ екIуэкIри жриIащ чийр зэрыхуишэжынур. Куэдрэ зэрытелъамрэ зэригъэтхьэджамрэ къыхэкIыу арэзыуэ чийпщIкIэ нэхъыбэ зэрыритынури дыщIигъуащ. ИужьымкIэ ТIатIуш арэзы хъуакъым икIи гуащIэдэкI хьэлэлкIэ къимылэжьа къыхэхъуэмэ, апхуэдитI зэрыхэщIыжынур жиIащ. Хьэтыхъу игъэхьэзырыжа чийхэр и гъунэгъум хуришэкIыжри, и пщIантIэм самэу щыхузэтрилъхьэжащ. ЩIыхуэм зыщигъэIеяуэ щыта зэгъунэгъуитIри зэкIужащ. Абы лъандэрэ лIыжьхэм я чэнджэщ щхьэпэмрэ ТIатIуш и псалъэ шэрыуэхэмрэ ди къуажэгъухэм гъуазэ яхуэхъуащи, иджы дэтхэнэми ещIэр щIыхуэ птелъыр ахърэтым зыми зэрыщыпхуимыпшыныжынумрэ абы чий зеплъафэу узэрыщамыгъэIэнумрэ. Муслъымэныр щыгугъыпхъэкъым и щIыхуэр ахърэтым къыщыхуагъэгъунымрэ нэгъуэщIым хуипшынынымрэ. Жантемрокъуэ Бетэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24790.txt" }
Ди къуэш республикэхэм ЩIалэгъуалэм яIуощIэ Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид яIу-щIащ «Нолым къыщыщIэдзауэ мелуаным нэс» щIалэгъуалэ проектым хэтхэм. Проектыр Осетие Ищхъэрэ-Аланием къыщызэрагъэпэщауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэр я зэфIэкIрэ лэжьыгъэкIэ гъащIэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрызыгъэхьа цIыхухэм яIущIэкIэрэ зэкъуэгъэувэн мурадкIэ. А зэIущIэм кърихьэлIащ республикэм и школхэм, техникумхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щеджэ щIалэгъуалэр. Проектым хэтахэр яхуэзакIэщ Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ингушым, Къэбэрдей-Балъкъэрым я Iэтащхьэхэм. Дэтхэнэ щIыпIэми жэрдэмщIакIуэ гупым къыхыхьащ класс нэхъыжьхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр, студентхэр. Дыгъэм егъэлажьэ Адыгей. Республикэм и федеральнэ гъуэгухэм дыгъэ батареехэмкIэ къэзыгъэнэху Iэмэпсымэхэр гъэувын щыщIадзащ. Иджы япэу ахэр щагъэуващ Адыгейм и Теувэж щIыналъэм хыхьэ Ды-гъургуей жылагъуэм и щIыпIэм кIуэцIрыкI, авариехэмкIэ нэхъ шынагъуэ «А-146» федеральнэ гъуэгу зэблэкIыпIэм деж. Республикэм щыIэ МВД-м къызэритымкIэ, гъуэгухэр къэзыгъэнэху а Iэмэпсымэхэр нэхъ зыубгъуауэ къагъэсэбэпынущ. Гъыцбэ Алисэ и концерт Абхъаз. Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ, Абхъазым и цIыхубэ артисткэ, «Геликон-опера» мэзкуу театрым и солисткэ Гъыцбэ Алисэ и концерт мазаем и 6-м Мэзкуу консерваторэм и Зал цIыкIум щекIуэкIынущ. Мэзкуу консерваторэм и доцент, пианисткэ гъуэзэджэ Бондаренкэ Светланэ зыхэт ансамблым къызэхуэсахэм я пащхьэ иралъхьэнущ урысей классикхэу Чайковскэмрэ Рахманиновымрэ я романсхэмкIэ гъэнщIа программэр. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24795.txt" }
Нобэ 1710 гъэм славяныбзэм и пIэкIэ иджырей урысыбзэм и алфавитыр къащтэным теухуа указ пащтыхьым къыдигъэкIащ. 1833 гъэм Бытырбыху къалэм япэ пощт IуэхущIапIэр къыщызэIуахащ. 2001 гъэм КIыщокъуэ Алим дунейм ехыжащ. ЩIышылэм и 29 — 31-хэм Санкт-Петербург щызэхэтынущ Арктикэм щIыдагъэ, газ къыщыщIэшыным, абыхэм елэжьыным Урысеймрэ Норвегиемрэ я лIыкIуэхэр щытепсэлъыхьыну ХI конференцэр. ЩIышылэм и 29 — мазаем и 1-хэм Красноярск щекIуэкIынущ Сыбыр промышленнэ зэхуэсышхуэр. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, критик Чэмокъуэ Тыркубий и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу. Балетмейстер, КъБР-м и цIыхубэ артист Думэныщ Iэулэдин 1954 гъэм къалъхуащ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 2 — 1, жэщым 3 — 1 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24797.txt" }
Япэ адыгэ сабий сад Тыркум и Адана къалэм мыгувэу къыщызэIуахыну сабий садым щызэфIахыну лэжьыгъэм Iыхьэ хэха щеубыд адыгэ лъэпкъ гъэсэныгъэм, егъэджэныгъэм. Мы зэманым щIыпIэм щокIуэкI а сабий IуэхущIапIэр къызэIухыным пыщIа иужьрей къызэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэр. Адана къалэ Сабий садым екIуэлIэну адыгэ цIыкIухэм яджынущ я анэдэлъхубзэр, лъэпкъ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ, апхуэдэуи адыгэ къэфэкIэмкIэ дерсхэр яIэнущ. Зи гугъу тщIы егъэджэныгъэ-щэнхабзэ проектыр ЮНИСЕФ дунейпсо зэгухьэныгъэм диIыгъащ. Садым и унэр бэджэнду къэщтэным, ар гъэлэжьэным пыщIа Iуэху псори, текIуэдэну мылъкури къыбгъэдэкIынущ щIыпIэм щылажьэ адыгэ щэнхабзэ центрым. НЫБЭ Анзор.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24799.txt" }
Шу пашэм и гъуэгу КIыщокъуэ Алим и тхыгъэхэращ къэбэрдей литературэм и цIэр къэрал псом щызыгъэIуар. Ар хэт дежкIи гурыIуэгъуэщ, нэрылъагъущ. Ди литературэм зи лъабжьэр куу, зи пщIэр лъагэ художественнэ хъугъуэфIыгъуэ хъуамэ, ар, псом япэрауэ, зи фIыщIэр КIыщокъуэ Алимщ. КIыщокъуэ Алим (22.07.1914 - 29.01.2001) Алим ящыгуфIыкI зэпытащ ди литературэм къыщIэтаджэ щIэблэхэм, лъэкI къигъэнакъым, ахэр иущиин, гъуэгу захуэ тригъэувэн щхьэкIэ. Ди литературэм нобэ щылажьэ дэтхэнэри къыщIэтэджащ шу пашэм и щапхъэм. Щапхъэ хъун мащIэ къызэринэкIакъым КIыщокъуэ Алим. Къалэмыр нобэ зыгъабзэ дэтхэнэми и къалэнщ ди литературэм лъэбакъуэщIэ иригъэчыныр. Алим щIэблэм къахуигъэна уэсятщ ар — шу пашэм и гъуэгум зэрыпащэн гуащIэрэ зэфIэкIрэ зыбгъэдэлъырщ, абы щIэкъурщ КIыщокъуэм и щапхъэм, и фэеплъым хуэфащэ щIэблэр. Ди лъэпкъ щэнхабзэ псор адыгэлI телъыджэм и гуащIэдэкIым лъагэ дыдэ дэхъуащ. Ар нэхъри Iэтынырщ Алим и ужь къина псори зыхуэлэжьэн хуейр. Къэрмокъуэ Хьэмид. ЩIышылэм и 29-р КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-м, КъБР-м я Къэрал саугъэтхэр зрата, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим и фэеплъ махуэщ 2013 гъэм щIышылэм и 29-м сыхьэт 12-м Налшык къалэм и щIыналъэ администрацэм и унэм и деж (КIыщокъуэм и уэрам, 70) КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-м, КъБР-м я Къэрал саугъэтхэр зрата, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэм и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэнущ. КIыщокъуэ Алим 2001 гъэм щIышылэм и 29-м Москва щылIащ икIи Щхьэлыкъуэ къуажэм щыщIалъхьащ. Бгъэдэлъа зэчиишхуэм, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр гъэбэгъуэным емызэшыжу зэрилэжьам папщIэ КIыщокъуэ Алим пщIэрэ щIыхьрэ къыхуахьащ, цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуащ. Абы и лирикэмрэ прозэмрэ къэбэрдей литературэр ину яIэтащ икIи дунейпсо литературэм и Iыхьэ ящIащ. Гъэ къэс щIышылэм и 29-м КIыщокъуэ Алим и фэеплъым деж республикэм щэнхабзэмкIэ, гъуазджэмкIэ и лэжьакIуэхэр, жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэхэр, абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр щызэхуос.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24803.txt" }
Джэдумрэ Урышымрэ я текIуэныгъэ Ярыгин Иван и фэеплъу бэнэкIэ хуитымкIэ щIышылэм и 25 — 27 махуэхэм Красноярск къыщызэрагъэпэща дунейпсо зэпеуэм ди лъахэгъухэр къыщыхэжаныкIащ. Джэду Iэниуар Урыш Анзор Дунейм и спортсмен нэхъ лъэщхэр къыздэкIуа зэпеуэм Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр щызыхъумахэм ящыщу текIуэныгъэр зыIэрагъэхьащ Джэду Iэниуаррэ (килограмм 74-рэ зи хьэлъагъхэм я деж) Урыш Анзоррэ (кг 84-м нэс). Финалым Джэдум къыщыпэщIэтащ Польшэм къикIа Хубежтэ Сабо. Ар хьэрхуэрэгъу лъэщт. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм ди лъахэгъур текIуащ. ЕтIуанэр зэрытемыгъэкIуауэ иухати, пхъэидзэкIэ полякым бжьыпэр иратащ. Псори щызэхэкIа ещанэ Iыхьэм Iэниуар губжьыпащ икIи полякыр къабзэу тридзащ. МахуитI дэкIри, ди къэралым иджыри зы дыщэ медаль къыхуихьащ Европэм тIэунейрэ и чемпион Урыш Анзор. Абыи и бэнэкIэр хуабжьу удэзыхьэхт. Дагъыстэным щыщ Ибрагимов Магомед ди щIалэм хуэфащэу къыпэщIэтащ, арщхьэкIэ, икIэм-икIэжым, Анзор и лъэщагъым пикIуэтын хуей хъуащ. — Нэгъабэ екIуэкIа Олимп Джэгухэм сыкъызэрыщыхагъэщIар апхуэдизкIэ гущIыхьэ сщыхъуати, абы иужькIэ мазитIкIэ зызгъэсэфакъым, — жиIащ Урыш Анзор. — Хуэм-хуэмурэ сытеужащ, фэбжь зыгъуэта си лъэгуажьэри згъэхъужащ. Иджы сыхуэзэшауэ зэхьэзэхуэм сыхэтащ икIи зэрытекIуам хуабжьу сегъэгушхуэ. Красноярск щекIуэкIа дунейпсо зэпеуэм пашэныгъэр къызэрыщахьам къыпэкIуэу, Джэдумрэ Урышымрэ, дыщэ медалхэм къищынэмыщIауэ, дэтхэнэми саугъэту сом мин 300 къра- тащ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24811.txt" }
Зэныбжьэгъугъэм и кубокыр къахь Урысей Федерацэм футболымкIэ и щIалэгъуалэ командэ къыхэхар Санкт-Петербург щекIуэкIа «Зэныбжьэгъугъэм и кубок-2013» зэхьэзэхуэм щытекIуащ. Абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ Болэ Руслан. Къэрал Щхьэхуитхэм я Зэныбжьэгъугъэм хыхьэ къэралыгъуэхэм я щIалэгъуалэ командэхэр зыхэта зэпеуэр хуабжьу удэзыхьэх хъуащ. Урысей Федерацэм абы етIуанэ илъэс хъуауэ зэкIэлъхьэужьу текIуэныгъэр къыщихьащ. Зыхэта гупым бжьыпэр щиубыда иужькIэ, ди щIалэхэм финалым и 1/4-нэ Iыхьэм Узбекистаным къикIахэр хьэрхуэрэгъу къащыхуэхъуащ икIи 2:0-у щыхагъэщIащ. Финалым кIуэн папщIэ ахэр нэхъ гугъу ехьащ икIи Болэ Руслан дигъэкIа топым и фIыгъэкIэ белорусхэр 2:1-уэ хагъэщIащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы етIуанэу дагъуэ къызэрыхуащIам къыхэкIыу «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ ныбжьыщIэр кIэух зэIущIэм хэтакъым. АрщхьэкIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхар абы игъэдзыхакъым икIи, финалым Украинэм 4:2-уэ щефIэкIри, «Зэныбжьэгъугъэм и кубок-2013»-р зыIэригъэхьащ. Къэхъун Бэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24817.txt" }
Сыт цIыхум зезыгъэузэщIыр? Сабий творчествэмкIэ унэм щекIуэкIащ илъэс 22-рэ хъуауэ лажьэ «Сигма» щIэныгъэ зэгухьэныгъэм и республикэ конференц. Ар зыхуэунэтIар ныбжьыщIэхэр Iущу, акъылыфIэу, псэкупсэ къулеигъэ яхэлъу къэгъэхъунырщ, абы къекIуалIэри сабийхэращ. Зи лэжьыгъэр нэхъыфIу ялъытэ сабийхэр ягъакIуэ урысейпсо зэхьэзэхуэхэм. «Сигма»-м и мыгъэрей конференцым хэтщ республикэм и район псоми къикIа школакIуэ 400. Информатикэ, астрономие, физикэ, литературоведение, культурологие, математикэ, нэгъуэщI дерс куэдми абыхэм я зэфIэкI щагъэлъагъуэ. Астрономие щIэныгъэхэмкIэ дерсыр щекIуэкIым. Конференцыр къызэIуихащ «Сигма» зэгухьэныгъэм и унафэщI, КъБКъУ-м и профессор Башиевэ Светланэрэ Сабий творчествэмкIэ унэм и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Къалмыкъ Кларэрэ. АдэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Геккиев СулътIан, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал аграрнэ университетым щIэныгъэ-къэхутакIуэ IуэхухэмкIэ и унафэщI, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къуэжокъуэ Мухьэмэд, КъБКъУ-м филологиемкIэ и институтым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор Куянцевэ Еленэ сымэ. — ХабзэфI зэрыхъуащи, нобэ ди бжэр хузэIу-дох ди ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм. Си гуапэу къыхэзгъэщынут лэжьыгъэ купщIафIэ зиIэ «Сигма» обществэм къекIуэлIа, зи зэфIэкI абы щызыгъэлъэгъуа куэдым нобэ IэщIагъэлI, егъэджакIуэ, щIэныгъэлI пажэхэр къазэрыхэкIар. Дрогушхуэ мы зэманми щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIэблэ дызэриIэм. Дэ ди фIэщ мэхъу республикэр ипэкIэ зыгъэкIуэтэн куэд ди щIалэгъуалэм къызэрыфхэкIынур. ФIыщIэ яхудощI фи еджэныгъэм, гъэсэныгъэм кIэлъыплъ егъэджакIуэхэм, фи Iуэхухэр сыт и лъэныкъуэкIи къывдэзыIыгъ адэ-анэхэм, — захуигъэзащ конференцым хэтхэм Къалмыкъ Кларэ. ЕджакIуэхэм я лэжьыгъэхэм топсэлъыхь. Абы и псалъэм пищащ илъэс 16 хъуауэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Башиевэ Светланэ. — ЩIэныгъэм и лъагъуэ дэ фытедгъэувэмэ, а гъуэгур бгъуфIэ зэрыхъуныр зэлъытар фэ езыхэрщ. СыткIэ щхьэпэ атIэ ди конференцхэр?! XIX лIэщIыгъуэм журналхэр къыдагъэкIыу щыщIадзам, зы еджагъэшхуэ гуэрым жиIэгъащ: «Журналым тхылъыр езэгърабгъу ищIащ». Ди зэманымкIэ дыкъэIэбэжмэ, Интернетыр къэунэхуащи, иджы абы журналри тхылъри IуигъэкIуэт хъуащ. Сэбэп зыпылъ куэдкIэ къытщхьэпэ тхылъхэр дгъэкIуэдынкIэ Iэмал иIэкъым. Ари нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэди къызэщIаубыдэ ди конференцхэм. ЕджакIуэ 400 зыхэтыну ди зэхыхьэр секцэ 42-уэ гуэшащ, а бжыгъэхэми куэд къыбжаIэ. Сохъуэхъу дэтхэнэми ехъулIэныгъэ инхэр и гъащIэм щиIэну, — жиIащ Светланэ. КъБР-м и Правительствэмрэ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ къабгъэдэкIыу конференцым хэтхэм ехъуэхъуащ Геккиев СулътIан. Абы къыхигъэщащ республикэр сабий зэчиифIэхэмкIэ зэрыбейр, ар узыщыгуфIыкI хъуну Iуэхугъуэу зэрыщытыр. Къуэжокъуэ Мухьэмэд зэрыжиIамкIэ, «Сигма» республикэ щIэныгъэ конференцым ухэтыныр пщIэ зыпылъщ, еджакIуэм и къэухьымрэ и гупсысэмрэ зезыгъэузэщIщ. — Сабий творчествэмкIэ унэм нобэ щекIуэкI лэжьыгъэр зэрызэтеувар я фIыщIэщ 1990 гъэхэм зэкъуэувэу абы и къэкIуэнур зыубзыхуа цIыхухэм. Щэнхабзэ, щIэныгъэ, къэхутэныгъэ я лъэныкъуэкIэ мы IуэхущIапIэм лэжьыгъэшхуэ зэрыщекIуэкIыр фIыгъуэщ. НэхъапэIуэкIэ мы унэм зыщызыгъэса сабийхэр щIэх-щIэхыурэ яшэу щытащ Огненск щрагъэкIуэкI конференцхэми, нэгъуэщI урысейпсо зэхьэзэхуэхэми. ДэнэкIэ мыкIуэми ди сабийхэм ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэрт. Сабий творчествэмкIэ унэм къилэжьа пщIэр абы и IэщIагъэлIхэмрэ я гъэсэнхэмрэ я фIыгъэщи, дяпэкIи ехъулIэныгъэ яIэну ди гуапэщ, — жиIащ Куянцевэ Еленэ. Конференцыр къызэIуаха нэужь, дерсхэр ирагъэкIуэкIащ. ЗэIущIэр ягъэдэхащ «Макъамэ» (и художественнэ унафэщIыр Къуэдз Iэбубэчырщ) гупым, «Кавказ пшэплъхэр» (Тхьэмокъуэ Мартин) къэфакIуэ ансамблым. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24820.txt" }
Фор куэдым я хущхъуэгъуэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэсхэм зыужьыныгъэ щагъуэт ди щIыналъэм и экономикэр лъэныкъуэ куэдкIэ езыгъэфIакIуэу къалъытэ хьэрычэтыщIэ Iуэху мыин, ику ит жыхуэтIэхэм. Бизнес Iуэхур къызэхъулIэхэм хабжэ Налшык щыпсэу Хьэту (Бейтыгъуэн) Рае. Ар я унафэщIщ фом, бжьэм къыхах хущхъуэгъуэхэм елэжь «Тенториум» дунейпсо компанием и къудамэхэр ди республикэм щызыгъэлажьэхэм. — Си хъуэпсапIэр унагъуэ къэс бжьэр цIыхум дежкIэ зэрысэбэпыр щагъэунэхунырщ, а псэущхьэ цIыкIум хущхъуэгъуэу къиугъуеифыр зыхуэдизым ахэр щыгъэгъуэзэнырщ, — жеIэ Рае. Езы цIыхубзым и гугъу пщIмэ, псом ящхьэу къилъытэр гущIэгъулыуэ дунейм утетынырщ. Абы и щапхъэщ езым и къарурэ и гуащIэкIэ зэтриухуа бизнесым къыпыкI мылъкум и проценти 10-р псапэ Iуэхум зэрыхухихыр. И нэIэ зытетхэм ящыщщ сабий зэиншэхэмрэ адэ-анэ зыщхьэщымытхэмрэ щапI Нартан интернатыр, зи бзэр мыпсалъэ икIи зэхэзымых цIыкIухэм яхухэхауэ Прохладнэ къалэм дэт еджапIэр. Апхуэдэу Рае псапащIэ Iуэхум и мызакъуэу, республикэм щрагъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэри къызэгъэпэща хъунымкIэ защIегъакъуэ. Абыхэм ящыщу къэбгъэлъагъуэ хъунущ «Кавказ джэгукIэхэм» я етIуанэ республикэ Iыхьэр. «2011 гъэм и егъэджакIуэ нэхъыфI» зэхьэзэхуэр. Жэуаплыныгъэ ин хэлъу Рае зэфIих IуэхуфIхэм гу лъамытэу къанэркъым. Рае къыхуагъэфэщащ Налшык и щIыпIэ администрацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым, Къэбэрдей-Балъкъэрым Спортымрэ туризмымкIэ и министерствэм я щIыхь тхылъхэр. Иджыблагъэ Рае щыIащ Белгород щIыналъэм «Тенториум»-м щригъэкIуэкIа зэIущIэм. Ар зытеухуауэ щытар ди сабийхэм я узыншагъэр хъумэнырщ. — ЩIыуэпсым къыдит хущхъуэгъуэ зыхэлъхэм ящыщу япэ зи цIэ къиIуапхъэр бжьэ форщ. Сыхуейт ди сабий гъэсапIэхэм къыщыщIэддзэу пэщIэдзэ классхэр къаухыху (а ныбжьым итхэращ къэралым и ахъшэкIэ ягъашхэр) щIэблэм фо я Iэнэм тетыну. Японием и сабийхэм щIэчэ имыIэу ар ирагъэшх. Радиацэм и Iэужьыр зыбжанэрэ зыжьэхэуа мы къэралыгъуэм и щIэблэр ноби бжьэ хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ ехъумэ. Абы хуэкIуащ Белгород областри. «Тенториум» компанием и ехъулIэныгъэхэм ящыщ зыщ зи гугъу тщIа хущхъуэгъуэхэм зыщыщагъэгъуазэ центр Налшык къызэрыщызэIуихари. Хьэту Астемыр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24825.txt" }
Псэрыусэ «Адыгэ хьэблэ» Иджыблагъэ дунейм къытехьащ Къаныкъуэ Заринэ и усэ тхылъыщIэ «Адыгэ хьэблэ» зыфIищар. ГурыщIэхэр налъэ-налъэу усэхэм хэзыухуанэ бзылъхугъэм и лэжьыгъэм цIыхухэр зэрыпэплъэр сэ хьэкъ сщыхъуащ. Тхылъыр къызэрыдэкIам и хъыбарегъащIэ мы тхыгъэ кIэщIыр згъэхьэзырын хуейуэ «Адыгэ хьэблэр» си стIолыщхьэм телъыху лэжьапIэ пэшым къыщIыхьахэм «Заринэ и тхылъыщIэ къыдэкIауэ ара, сыту фIыт», — жиIэу ар къэзымыпхъуэта, пIащIэгъуэкIэ и напэхэр зэзымыгъэдзэкIа къахэкIакъым. Апхуэдэ гулъытэ Заринэ хуэфащэщ, езыр лэжьакIуэшхуэщ, и усыгъэм псэ хэтщи. Зы поэмэрэ («ИстамбылакIуэ») усэ 259-рэ зэрыт тхылъ цIыкIум лъабжьэ хуэхъуа гурыщIэхэр, гущIагъщIэлъхэр зыхыуагъащIэ ахэр зэрыгуэша Iыхьэхэм фIищахэм: «Си лъахэ», «ИстамбылакIуэ», «Гупсэхугъуэ», «Псэм и налкъутхэр», «Мэшбэв». Абыхэм ящыщ дэтхэнэми зи гугъу щыщIар сурэт гъэщIэгъуэнхэм хэгъэпщкIуащ. Къаныкъуэ Заринэ и творчествэм, и IэдакъэщIэкIхэм я фIагъыр наIуэу ди нэгу къыщIэзыгъэувэ тхыгъэщ тхылъым и пэублэ псалъэр, дунейм ехыжыным мазэ бжыгъэ фIэкIа къэмынауэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур итхар. ЩIэныгъэлI цIэрыIуэм, нэхъыжь Iущым, зи псалъэм пщIэшхуэ иIэу псэуа адыгэлIым и жыIэкIэ Заринэ и лэжьыгъэр щIэджыкIакIуэхэм къащIэмэ нэхъыфIщи, ди гуапэу газетым тыдодзэ Налом «Псэрыусэ» зыфIища и тхыгъэр. ИСТЭПАН Залинэ. УсакIуэм я нэхъыбэр акъыл логикэкIэ мэгупсысэ, куууэ къыщIагъалъэрэ нэрылъагъухэри къызэрагъэдзэкIыу. УсакIуэм я нэхъ мащIэр псэ логикэкIэ мэгупсысэ, нэхъ кууужу къыщIагъалъэрэ нэрымылъагъури уи гум кърагъащтэу. Мы иужьрейхэращ сэ нэхъ къэгъэщIакIуэ щыпкъэу къысщыхъур. Япэрейхэр щхьэрыусэмэ, етIуанэрейхэр псэрыусэщ. Нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу тхужыIэну пIэрэ? Мы дунейм къамышы щытемыта зэманым щIопщыр япэу зыщIа фащIэр къэгъэщIакIуэт; япэрейр щIопщым къытрищIыкIыу къамышы зыщIар къэгъэщIакIуэкъым — зыпэщIыжакIуэщ. Япэрейр авторщ, етIуанэрейр имитаторщ. Иджы усыгъэм къэдгъэзэжмэ, мы псалъэм къикIын хуейращ: щхьэрыусэу зэхалъхьам хуэдэ дапщэ ухуейми пхуэгъэпсынущ, ауэ авторым и псэр зыхилъхьа усэм хуэдэ пхуэусынукъым, минрэ зыпэпщIыжами. Сэ псэкIэ сызэджэр гум зэрихуэ лъыракъым, сэ псэ зыфIэсщыр Тхьэм къуита зэхэщIыкIращи, мы дунейм цIыхупсэу тет миллиардихым зэщхьыркъабзэу тIу яхэткъым — дэтхэнэри зейм ещхьыжу апхуэдэщ. Мы фи пащхьэм илъ «Адыгэ хьэблэр» зи гуащIэ Къаныкъуэ Заринэ псэрыусэ дыдэщ, нобэрей ди усакIуэ нэхъыфIхэм яхуэдэу. Заринэ и псэр адыгэ пшынэм ещхьщ, дэтхэнэ пшынэ Iэпэм еIусэми, зэIусам и макъыр къэIуу — зы Iэпэм уэрэд къегъэIу, адрейм — усэ, къыкIэлъыкIуэм театрыр къегъэуш, адэкIэ Iэбэмэ — кIэзетыр къегъэпсалъэ, аргуэру Iэбэмэ — журналыр егъэгупсысэ… Адрей Iэпэхэми щхьэж и макъ яIэжщ. И кIэщIращи, псэр къулеймэ, Iэм и зэфIэкIри мэбагъуэ. Къаныкъуэ СэIэдулэ ипхъу Заринэ 1969 гъэм Дыгулыбгъуей къыщалъхуащ интеллигент унагъуэм. Зоотехникыу еджа и адэр, литературэм дихьэхри, журналист хъуащ («Путь к коммунизму» район газетым и редактор нэхъыщхьэу лэжьащ), «Ленинград къикIа хъыджэбз» зыфIища и романыр урысыбзэкIи (Москва, «Детская литература» тхылъ тедзапIэ, 1974) адыгэбзэкIи (Налшык, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэ, 1971) къыдэкIащ. Тхыдэм дихьэхыу щыта и дэлъху Нурхьэлий и псэ къабзэр Абхъазым и хуитыныгъэм щIитащ. Лъэпкъым нобэ яхэтщ, адэжь лъапсэм исщ и дэлъху етIуанэр. Шыпхъуищ иIэщи, тIур егъэджакIуэщ, ещанэр журналисту «Адыгэ псалъэм» щылэжьащ. Анэм и лъапIэныгъэ псори зэпха Iэминат унэгуащэти, быным я гуфIэгъуэр къэзылэжьари, я гузэвэгъуэр зышэчари аращи — жэнэтыр унапIэ Тхьэм хуищI! Иджы мы тхыгъэ кIагуэм и гъуазэм деж къэдгъэзэжмэ — Заринэ 1991 гъэм ди университетыр къеухри, «Адыгэ псалъэм» и корреспондету, иужькIэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактору (публицистикэмкIэ къудамэр IэщIэлъу) мэлажьэ. 2006 гъэм ар «Горянка» газетым редактор нэхъыщхьэу ягъэув икIи а къыдэкIыгъуэр ирегъэфIакIуэ къиубыд IуэхугъуэхэмкIи узригъэгупсысхэмкIи — бзылъхугъэхэри щыгуфIыкIыу, цIыхухъухэри арэзы ищIу. Сэ нобэ нывжесIэн хуэдэу сщIэркъым дяпэкIэ Заринэ и пшынэ Iэпэхэм ягъэIункIэ хъуну Iуэхугъуэ щхьэпэхэр, ауэ шэч къытесхьэркъым философием, тхыдэм, литературэм, музыкэм, живописым, театрым, къафэм, щIэныгъэм, публицистикэм, къинэмыщIхэм, я лъэныкъуэкIэ абы игъуэта зэхэщIыкIыр, щэнхабзэр лъэпкъым зэрыхуигъэлэжьэфынум. Уи пшынэ Iэпэхэм уащымысхь, ди шыпхъу цIыкIу! Щхьэпэу адыгэм хуищIэ псори лъапIэщ лъэпкъым дежкIэ, ауэ сэ иджыпсту абыхэм къахэсIэтыкIыр Заринэ литературэм щиIэ зэфIэкIырщ. Псалъэр гъэлэжьэнымкIэ абы Тхьэм кърита лъэкIыныгъэр дигъэлъэгъуащ «ГъуэрыгъуапщкIуэ» (1994), «Уафэ щыгъэ» (1998), «Уэрэ сэрэ» (2008) тхылъхэм дыкъыщеджам, «Нагъуэ и унагъуэр» (2008) спектаклым дыщеплъам. Дэ мыбыхэм дызэрагъэгугъар «Адыгэ хьэблэм» дегъэлъагъупэ. Си жэрэгъу тхылъаджэхэ, фи фIэщ зэрыхъун, псэр къэIуэтэным нэхъ гугъу усыгъэр зэи жьэхэмыуэ. Сэ нэхъыбэу Заринэ сызэригъэгуфIар и псэрыIуатэ адыгэбзэрщ. Усэхэм дыхэмыщыпыхьу, къытпэщIэхуэм дыкъевгъаджэ: ПлъапIэу сиIэр уэгурщ, ТхьэлъэIупIэр нэгум ЩIэзымыгъэкI гъэхэм Сакъол, сагъэмэхми… Къэунэхур махуэщ, Къиуназэр мазэщ. ЩызэпычкIэ къуэпсхэр, КъысфIыщIож си нэпсыр. …Щхьэхуимыт илъэсым И бжьыхьэкIэ уэсыр Къыстесэну малIэ. Си гухэлъыр маблэ! Уи зэхэщIыкIым зэрызилъагъуж, зэрызыхищIэж, зэрызиIуэтэж псалъэхэр, псэлъафэхэр, метафорэхэр хьэзыру жыпым щимылъкIэ, ахэр къэплъыхъуэн хуейщ. Апхуэдэ зэфIэкIым зыщеузэщI мы нобэ дызэджэ тхылъым. Апхуэдэ лъэкIыныгъэкIэ Тхьэр къыщыпхуэупсэнури зызыIэта лъэпкъ усыгъэм ущытIыгъуамэщ. Гъэбелджылауэ жыпIэмэ, ПащIэ Бэчмырзэ, Агънокъуэ Лашэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Тхьэгъэзит Зубер, Бещтокъуэ Хьэбас хуэдэхэм дамэкIэ ущаIэтым дежщ. Купкъыр къокIыкIри, щIым къыхож аби, тхьэмпэ къыпокIэ — ар удзи, гъурци, жыги? КъыдокIуэтейри, мэгъагъэ — ар нэрылъагъуу жыгщ. КъапщIийхэр полъэлъыжри пхъэщхьэмыщхьэ къапокIэ, мэз къызэрыкIын жылэхэр я курылъу — ар жыг балигъщ. УсакIуэр къэкIыгъэм хуэбгъадэ хъунумэ — Къаныкъуэ Заринэ къэгъэщIакIуэ балигъщ, и усэхэр икъугъэрэ щIэблэкIи уащыгугъ хъун хуэдэу: я гурыщIэ кууагъкIи, я гупсысэ къарукIи, авторыр зыгъэгузавэ IуэхугъуэхэмкIи, дыгъуасэм зэрыплъэкIи, пщэдейм зэрыщыгугъкIи, и IэзагъэкIи, и адыгэбзэкIи мы Iэрамэхэр йолъэгэкI ипэрейхэм. Абы зыIэпигъэхуркъым нэхъапэм иришэжьа тематикэр, ауэ абы лъэщу къыбгъуроувэ лъэпкъыр зыгъэпIейтей упщIэхэр: адыгэм къытпэщылъ гужьеигъуэхэр, тхыдэм лъэщыгъэкIэ хэхэс ищIа ди къуэшхэр хамэм зэрыхэшыпсыхьыр, ди благъэ абхъазхэм я дунейр, къинэмыщIхэри. А проблемэшхуэр зыгъэв ди шыпхъу гу пцIанэм и унагъуэри игу ихуркъым. ЗыгъэщIагъуэ хэмыхьэу къызэрыгуэкI дыдэу гъэпсащ сатырипщI фIэкIа мыхъу «Си анэ» усэ цIыкIур. ПщэфIапIэм е пырхъуэм щекIуэкI псалъэмакъ хуэдэу укъоджэ, купщIэр кууи къыщIимыгъалъэу — итIани, уи гум къошхыдыкI, уи псэр усакIуэм игъэпсалъэ нэхъей. Зэанэзэпхъум я уэршэрыр бгъэлъатэмэ, Бэчмырзэ имыдам хуэдэу, «пшыналъэр мэбгъунлъэ». Усыгъэм и эстетикэр къызыгурыIуэ пхъур лъэпэрэпакъым: Къызбгъэдэс, си анэ, къызбгъэдэс, Уи Iэгу щабэр къыслъэгъэIэс, Сабиигъуэм сыхыумыгъэкI, Сыхуэмей фIыгъуэ лъэпкъ абы фIэкI. Сэ гукъеуэу сиIар мэбзэхыж, КъызэпхьэлIэр сымыщIэу сохъуж. КъызощIэж сыщисар уэ уи куэщI. ЩымыIэну зэман ар зыпэсщI. Къызбгъэдэс, си анэ, къызбгъэдэс, Балиейм и жьауэм дыщIэгъэс. Зи псэр Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм щIэзыта и дэлъху Нурхьэлий хуиуса уэрэдитIри апхуэдэу Iэдэбу, гурыщIэ пэжу зэхэлъщ, афэрым яхуэфащэу. Гупсысэ Iэджэми ягъэхьэщыкъ усакIуэм и гур, сэ абыхэм сахэщыпыхьу языр къахэсIэтыкIыфынукъым си зэхуэдэщи, Зарини я гупсысэхэм дызэрыщIигъэдэIуар езым и гурыщIэ защIэущ. Арагъэнущ я дэтхэнэри ди зэхэщIыкIым благъэ хуэзыщIыр. Арами, сыкъытеувыIапхъэу къызолъытэ лъэпкъ Iуэхум ар зэригъэпIейтейм. Лъэпкъым къыпэплъэ дунейм и гуащIагъэм еплъытмэ, лъагъуныгъэри, ныбжьэгъугъэри, лэжьыгъэри, мылъкури, узыншагъэри жьгъей щIохъукI. Абы ирогузавэ пщэдейм плъэ дэтхэнэри — политикхэри, щIэныгъэлIхэри, бизнесменхэри, тхакIуэхэри, адэ-анэхэри, лэжьакIуэхэри… Мы тхылъым цIэ езыта усэми псэ хуэхъуар а гуныкъуэгъуэращ: адыгэ хьэблэр лъэпкъым и нагъыщэу аращ. Адыгэ хьэблэ, адыгэ къуажэ, Псыкъуийм къищ вагъуэр щыгъэу зыгъажэ. Мыжеижыфу къэна уи щэхухэм Хы Iуфэ жыжьэр ноби я плъапIэщ. НахуапIэу плъагъум хуощIыр гукъанэ, Къэнар уи мащIэщ, къэкIуэжыр хамэ? …Псыкъуий лъащIэхухэм нэса гукъанэр Къыхуибгъэхъуами, ефэфкъым нанэ. Нэхущым ипэ хоушэ дадэ. Адыгэ къуажэ, ухэмыкIуадэ! Усэр зэрыщIибгъэж псалъэр Тхьэм хуэгъэза лъэIу хуэдэу зыхызощIэ. ИтIани усэбзэ телъыджэм и псэлъафэ шэрыуэхэм, псантхуэм ентIэIуурэ, гур ягъэуз, гупсысэр къызэщагъэу, псэр ягъэгулэз аби, темэм и мыхьэнэр ягъэлъагэ. Мыр «Си лъахэ» гуэрэным хигъэува пэтми, и купщIэмкIэ «ИстамбылакIуэ» IэрамэмкIэ маплъэ. «ИстамбылакIуэр» лирикэу гъэпса поэмэщ, кIуэцIрыкI фабулэр хэмыукъуэдиярэ макъамэ зыбжанэу зэхэгъэпсауэ. Мыр икIи гъыбзэщ, Хэкум ирахуа лъэпкъым и гуауэр игъейуэ, икIи джакIуэщ, дунейм тепхъауэ кIуэдыж адыгэр Хэкум ириджэжу. Ар авторым и макъкIэ Iуми, лъэпкъым ди зэхуэдэ лъэIущ. А лъэIум, мызэрэ-мытIэу къытригъэзэжурэ, къыхохъуэпскIыкI поэмэр къызэрыхидзэ усакIуэпсэр, и жыIэр нэхъри игъэкъарууэ: Си Iэпкълъэпкъым лъы щIэтыхукIэ, Сэ сыадыгэнущ. Сыадыгэу сыпсэухукIэ, Си гум мыр къеуэнущ. (Лъэпкъым ди гузэвэгъуэр, жыхуиIэщ) Апхуэдэ псалъэр къизымыдзэни щыIэу пIэрэ? Ещанэ усэ гупым Заринэ фIищащ «Гупсэхугъуэ». Абы къикIыр сыт? Псалъалъэм «гум зыщигъэпсэхуращ», — жи. Пэжу си гугъэщ. Ауэ си гум соупщIыжри, идэркъым: «сэ зыщызгъэпсэхур усэфI дыдэ сыкъыщеджэ-дыщедаIуэращ!» — жи. Iэнкуну напэкIуэцIыр зызогъэдзэкIри, япэ ит усэм дзыхьмыщIу къеджэн щIызодзэ, сытогушхуэжри сатырийри къызощыпыкI: ГъащIэ къэгъэщIыным сыт пыщIа? НапIэ дэхьеигъуэр мэхъур пIалъэ… Псэр зыгъэнщI насып зыхэзыщIар СыткIэ хуэныкъуэж зыгуэр и псалъэ? Сэ псэзэпылъхьэпIэ къызолъыхъуэ, ЗызгъэнщIыну зэи къысщымыхъуу. Гухэлъ сызунэщIхэм сыхуэныкъуэщ, Псалъэм языхэзыр — псы Iубыгъуэщ… Сатыр къэс къыкIэлъыкIуэр узыпэмыплъа щIэщыгъуэу къыпыувэурэ узыIэпешэри, умыщIэххэу, псынэпс Iубыгъуэ къыпIурекIэж, «уэхухуху!» — жыуигъэIэу. Аракъэ гупсэхугъуэ хъужыр! Псэр апхуэдэ щытыкIэм щихуэ напIэзыпIэхэр къэубыдын, ар зэхэщIыкIым къызэрыщыхъур бэяну зыгъэнаIуэ псэлъафэхэр, метафорэ жанхэр къэгъуэтын хуейщ. Нэхъ гугъужу къыщIэкIынщ апхуэдэ усэр шэчыгъуей мыхъуу гъэкIэщIыныр. Мардэмрэ щапхъэмрэ гъуазджэм и псэщ. Мы ещанэрей Iэрамэм хыхьа усэ плIыщIри телъыджэ защIэщ, усакIуэм и псэр къигъаплъэрэ езыри кIэлъыплъыжу. Ар зыми емыщхьрэ езыр зэщхьыж къудейуэ къигъэщIа Заринэпсэщ. «Псэм и налкъутхэм» нэхъ IупщIыж къащI зи гугъу сщIыр. Ар сытым хуэусэми, уэри дэри дигъэлъагъур а зыхуэусэ дыдэракъым, атIэ а зыхуэусэр езым и псэм къызэрищтар ди нэгу къыщIигъэувэу, ди зэхэщIыкIми апхуэдэу къригъащтэу аращ. Сэ мы тхылъым си фIэщ ищIащ зы хьэкъ: Заринэ дэрэ зы хъарбыз дыупщIатэмэ, IэфI къызэрытIурыхъуэнур зэмыщхьущ; мо балией гъэгъам дызэ- деплъми, зэхуэмыдэущ зэрытфIэдэхэнур; зы розэ дызэдепэмми, и мэр зэщхьэщыкIыущ къызэрытщIихьэнур; шыгъури зэмыщхьу шыугъэнущ, шыбжийри зэмыщхьу сырынущ… Аращ сэ Къаныкъуэ Заринэ псэрыусэ щIыфIэсщыр. Зэринэ ныбжькIи, псэкIи усакIуэщIэщ, лъэкIыныгъэшхуэ зэриIэри, гурыщIэ-гупсысэ зэрихъумэри дигъэлъэгъуарэ куэдкIи дигъэгугъэу. И къалэмри жумартщ, и псэм хуэдэу. Абы и зэфIэкIым и ныбжь Iэджэри дяпэкIэщ къыщыкъуэкIынур, хьэлэмэтагъэмкIэ уагъэIэнкуну, уеблэмэ укъагъащтэу. ГъащIэ кIыхь ухъу!
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24827.txt" }
Анэдэлъхубзэм дыхуэбэлэрыгъ хъунукъым Лъэпкъым дежкІэ, дауи, хэкум нэхъ лъапІэ щыІэкъым. Ар зыми пэпщІ, ебгъапщэ хъунукъым. Хэкур лъэпкъым и фэщ. Фэ темылъыжмэ, дыгъужьрэ пэт псэуфынукъым, ауэ и фэр телъыжу щытмэ, и пщэм мыщэ дэсми, ар зыгуэрурэ дигъэхуфынущ, зыкъригъэлыфынущ. Хэкум и ужькІэ лъэпкъыр лъэпкъ зыщІ пкъыгъуэхэм я нэхъыщхьэр анэдэлъхубзэращ. Бзэм хабзэри къыдокІуэ. Сыту жыпІэмэ, бзэм и къалэныр, цІыхухэр зригъэпсэлъэным, зэгуригъэІуэным и закъуэкъым. Бзэм и къалэнщ цІыхур игъэгупсысэнри, цІыхугъэ, цивилизацэ къригъэгъэхъунри, цІыхубэ къызэрыкІуэр лъэпкъ (нацие) ищІынри… Лъэпкъым дежкІэ бзэр цІыхум дежкІэ псэм хуэдэщ. ЦІыхум псэр Тхьэм къыхилъхьащи, Абы фІэкІа зыри хуиткъым ар хихыну. Езы псэр зей цІыху дыдэри хуиткъым и псэр хихыжыну, зиукІыжыну. Псэр цІыхум и хьэхущи, и чэзу къэсу Тхьэм ІихыжыхункІэ ар ихъумэну и къалъэнщ. Бзэри лъэпкъым дежкІэ апхуэдэщ. Дэтхэнэ зы бзэри Тхьэм зейхэм къахуигъэфэщащ. Тхьэр хуеямэ, цІыху псори зы лъэпкъыу, зы бзэкІэ псалъэу къигъэщІыфынут. Ауэ Тхьэм лъэпкъхэр я хабзэ-бзыпхъэхэмкІэ куууэ зэрыщІэн, зыр зым ехьэехуэурэ, зэныкъуэкъуурэ нэхъыфІым, нэхъ дахэм хуэкІуэн папщІэ щхьэхуэ-щхьэхуэу къигъэщІащ, я анэдэлъхубзэхэри я щэнхабзэхэри яІэжу. Аращи, цІыхум и псэр ихъумэн зэрыхуейм хуэдэу, лъэпкъми Тхьэм къыІуилъхьа и бзэр, къыхилъхьа и хабзэр ихъумэжын хуейщ. Зи бзэрэ зи хабзэрэ зыхъумэж дэтхэнэ зы лъэпкъи и щхьэрэ и напэрэ ихъумэжу аращ. Уэ уи щхьэ, уи напэ умыхъумэжмэ, ар зыми пхуихъумэфынукъым. Уи бзэрэ уи хабзэрэ уасэ хуумыщІыжмэ, зыми и фІэщу уасэ къыпхуищІынукъым, къыпхуищІ хуэдэу зыкъигъэлъагъуэми, игукІэ къыпщІэнэкІэнущ. Зи бзэ зымылъытэжым и щхьэр илъытэжыркъым, зи щхьэ зымылъытэжыр зыми къилъытэнукъым. * * * Сэ фІыкІэ сигу къокІыжыр Чернышов Альберт. Ар Совет Союзми Урысей Федерацэми я лІыкІуэу Анкара щыІащ. А лъэхъэнэхэм сэри Хасэ Іуэхухэм нэхъ лъэщыІуэу сыхэтти, куэдрэ дызэхуэзэрт. Дахэу тыркубзэ ищІэрт, ищІэ дэнэ къэна, тыркубзэкІэ дыхьэшхэнхэр (анекдотхэр) къытхуиІуатэурэ дигъэдыхьэшхыфырт. Апхуэдэу фІыуэ тыркубзэ ищІэрэ пэт, официальнэу зы Іуэхугъуэ дытепсэлъыхьын щыхъукІэ, тыркубзэ имыщІэ хуэдэу зищІырти, урысыбзэкІэ псалъэрт, и зэдзэкІакІуэм зэридзэкІыжырт. НэгъуэщІу жыпІэмэ, и бзэм ину пщIэ хуищІыжырт. Ар дипломатхэр зытет хабзэщ жыпІэу щытми, дэ адыгэ лъэпкъым апхуэдэ дипломатхэр щыдимыІэкІэ, дыадыгэну дыхуеймэ, лІыщхьи лІыщІи зэрыжаІэу, дэтхэнэ зы адыгэми дипломату зыдбжыжын, ди бзэм пщIэ хуэтщІын, зэзэмызэ мыхъуу, сыт хуэдэ Iуэхуми епхауэ анэдэлъхубзэр зетхьэн хуейщ. Анэдэлъхубзэр гъащІэм хэпщауэ щымытмэ, абы уримылажьэмэ, уримыпсэумэ, гува-щІэхами пІэщІэмыхункІэ Iэмал иІэкъым. Лъэпкъым анэдэлъхубзэр Іурымылъыжмэ, ар лъэпкъыжкъым. Аращ адыгэм «бзэншэ лъэпкъыр — псэншэщ» щІыжиІар. Мазищым щІигъуауэ Налшык дыкъэІэпхъуэжауэ дыщопсэури, нэхъ дызыгъатхъэхэм япэ итщ дэнэ щІыпІи адыгэбзэ щызэрызэхэпхыр. Уэрамхэм, бэзэрым, лэжьапІэхэм, къэрал, ІуэхущІапІэхэм щызэхэпхыр япэрауэ адыгэбзэращ. Ар сыт и уасэ! ХьэтIохъущыкъуейм и цIэр зезыхьэ къалэ жыг хадэм ущихьэкІэ, сабий цІыкІухэр пщІыпщІыу, адыгэбзэр ягъэбзэрабзэу зэхыбохри, псэр егъатхъэ, гур егъэгушхуэ. Ин хъури цІыкІу хъужащ жыхуаІэм хуэдэу Іущу, адыгэбзэм хуэІэкІуэлъакІуэхэу зэрыпсалъэхэр фIыгъуэшхуэщ. Апхуэдэу плъагъухэм дауэ уамыгъэтхъэнрэ!.. Ахэр псори хъарзынэщ, фIы дыдэщ. АбыкIэ фIыщIэ яхуэфащэщ адэ-анэхэм, анэшхуэ-адэшхуэхэм, щІэблэм щапхъэфІ яхуэхъуф ди лІыщхьэхэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Адыгейр апхуэдэкъым. Мейкъуапэ Іыхьэ плІанэм нэхъ мащІэщ адыгэу дэсри, уэрамхэми дэнэ щІыпІи адыгэбзэ щызэхэпхыркъым. Аращи, цІыхущхьэ бжыгъэм и уасэри зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым. Налшык дэнэ щІыпІи адыгэбзэкІэ зэрыщыпсалъэр хъарзынэщ. Ауэ дэнэ щІыпІи адыгэбзэкІэ щеджэхэу, щытхэхэу пIэрэ? Газет щапІэхэм (киоскхэм) сыщылъыхъуати, адыгэ газет, журнал щызгъуэтакъым. СыщыщІэупщІэм, щыІэкъым, къакІуэркъым, къытхуашэркъым, ящэхуркъым, еджэхэркъым… апхуэдэщ пэгъуэдзу (жэуапу) къызатыжар. Бзэр, дауикІ, урипсалъэ къудейкІэ пхъумэфынукъым, уреджэни, уритхэни, лэжьапІэхэм щызепхьэни хуейщ. * * * Иджы ди еджа-епщахэм, псом хуэмыдэу ди щІэныгъэрылажьэхэм захуэдгъэзэнщи, ярэби, абыхэм я къалэныр, лъэпкъыр къазэрыщыгугъыу ягъэзащІэу пІэрэ? Зы тхьэмахуэ фІэкІа я мызэхуакуу щІэнІуатитІ (конференцитІ) сыхэтащ. Япэрейр Налшык щекІуэкІат «Нарт» хъыбархэм ятеухуауэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, сэр фІэкІа зыри адыгэбзэкІэ къэпсэлъакъым. Сэри урысыбзэ зэрызмыщІэрауэ къыщІэкІынущ адыгэбзэкІэ сыкъыщІэпсэлъар. Урысыбзэ сщІэуэ щытамэ, сэри адыгэбзэкІэ сыкъэмыпсэлъэну пІэрэт, ярэби, сызоупщIыж сэр-сэру. Сэри сахэту сощІри, анэдэлъхубзэм иримылажьэ дэтхэнэ зы щІэныгъэрылажьэми лъэпкъым хуэгъэзауэ и къалэныр имыгъэзащІэу аращ. Урилажьэмэ, гъущІри мэлыдри, уримылажьэмэ, бзэри мэулъийр. Адыгэбзэм терминхэр хэткъыми, щІэныгъэ Іуэху иризепхьэ мыхъуу, щІэныгъэ лэжьыгъэхэр урысыбзэкІэ умытхмэ мыхъуну жызыІэ щыІэщ. Ар пэжынкІэ Iэмал иІэкъым. Дэтхэнэ зы бзэмкІи щІэныгъэ Іуэху зепхьэфынущ. Тхьэм мыпхуэдэ бзэхэр щІэныгъэбзэщи, мопхуэдэбзэхэр унагъуэ кІуэцІыбзэщ, уэрамыбзэщ жиІэу зыри къигъэщІакъым. УемылIалIэмэ, бзэм термини псалъэщІи къигъэхъуфынукъым, ар дэнэ къэна, бзэм хэт псалъэхэри пщыгъупщэжынущ, зумыхьэжыф ухъунущ. Бзэм щІэныгъэ терминхэр къыхэгъэхъуэныр зи къалэныр, дауи, къуажэдэс цІыху къызэрыкІуэр аракъым. Дэтхэнэ зы щІэныгъэ къудамэми и терминхэр бзэм къыхэзыгъэхъуэнур, дауи, а щІэныгъэ къудамэм елэжь щІэныгъэрылажьэхэращ. Аращи, бзэр тхьэмыщкІэ хъумэ, терминхэр, псалъэщІэхэр къыхэмыхъуэмэ, кІуэхукІэ кІуэдыпІэ ихуэмэ, ар псом нэхърэ нэхъапэ зи лажьэр щІэныгъэрылажьэхэрщ, егъэджакІуэхэрщ, журналистхэрщ, цІыху еджа-епщахэрщ, адэ-анэхэрщ, зыщІэу иримылажьэхэрщ, зэзгъэщІэфыну зэзмыгъащІэхэрщ… Иджы етІуанэрей щІэнІуатэм зыхуэдгъэзэжынщи, ар щекІуэкІар Мейкъуапэщ, зытеухуар адыгэ хабзэрщ, зэрекІуэкІа бзэр адыгэбзэ къабзэщ. НыбжьыщІэхэм я докладхэр адыгэбзэкІэ зэратхам уимыгъэгуфІэн, умигъэгушхуэн плъэкІынукъым. Адыгэбзэр щІэныгъэ ІуэхумкІэ ирикъуркъым, щІэныгъэ тхыгъэхэр (докладхэр) урысыбзэкІэ тхын хуейщ жызыІэу урысыбзэм есэща нэхъыжь гуэрхэм я докладхэр урысыбзэкІэ ятхат, ауэ псори адыгэбзэкІэ къыщыпсалъэм, укІытэж, яфІэемыкІу хъури, урысыбзэкІэ ятхар адыгэбзэкІэ хъарзынэкІейуэ жаІэжащ. Пэжщ, диссертацэ щыптхкІэ абы хэплъэнумрэ уасэ къыхуэзыщІынухэмрэ адыгэбзэ зэрамыщІэм къыхэкІкІэ, ахэр урысыбзэ щІын хуей хъунущ. Ауэ апхуэдэм дежи диссертацэр бзитIымкIи ттхыуэ къедгъэжьамэ, анэдэлъхубзэм хуабжьу зригъэужьынут. Адрей тхыгъэхэм я гугъу пщIымэ, Iэмал имыІэу ахэр, япэрауэ, адыгэбзэкІэ тхын хуейщ, итІанэ урысыбзэ тщІыж хъунущ е адыгэбзэм урысыбзэкІэ и купщІэр ІупщІу щІыдгъуж хъунущ. Ди унафэщІхэм, ди Іэтащхьэхэм сазэрелъэІур: ди щІэнІуатэхэри сыт хуэдэ ди зэІущІэхэри ди анэдэлъхубзэкІэ зэредгъэкІуэкІыным и Iэмалхэм девгъэгупсыс. ЗэдзэкІакІуэ дывгъэгъэлажьэ. Симултан зэдзэкІалъэ жыхуаІэм хуэдэ къэдвгъэщэхуи, маржэ, ди анэдэлъхубзэр, дунейм тет адыгэм я плъапІэ закъуэу къэнэжа Къэбэрдейм щыдвгъэхъумэ, щыдвгъэгъэпсэу. Хъуажь Фахъри.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24831.txt" }
Сыжажэ Хьэсэн: Ар къызэрыдэхъулIэнум шэч къытесхьэркъым ЩIышылэр илъэсым кърикIуар щызэхалъхьэж мазэщ. Гъэ кIуам я Iуэхухэр зыхуэдам, зрагъэхъулIахэмрэ зыхунэмысахэмрэ тедгъэпсэлъыхьыну, дяпэкIэ я мурадхэм зыщыдгъэгъуэзэну дэ зыхуэдгъэзащ Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Сыжажэ Хьэсэн. — Хьэсэн, зэрыщыту къапщтэмэ, къызэднэкIа илъэсым къыфпэщыта къалэнхэм фи куейр дауэ пэлъэща? — Экономикэ, социальнэ зыужьыныгъэ я лъэныкъуэкIэ нэгъабэ ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр диIауэ къыдолъытэ. Республикэм и унафэщIхэм къытщащIа пщэрылъхэм мыIейуэ дехъулIащ. Мэкъумэш IэнатIэмрэ промышленностымрэ зегъэужьыным, социальнэ Iуэхухэр егъэфIэкIуэным, ди цIыхухэр зыхуейхэмкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ зэфIэдгъэкIар мащIэкъым. Псалъэм папщIэ, мэкъумэшхэкIыу сом меларди 3,5-рэ и уасэ къэдлэжьащ. Ар ипэ ита илъэсым елъытауэ проценти 6,1-кIэ нэхъыбэщ. ЗэхэгъэкIауэ жыпIэмэ, гъавэу тонн мин 98-рэ, хадэхэкIыу тонн мин 33,6-рэ, пхъэщхьэмыщхьэу тонн мин 28,8-рэ къетхьэлIэжащ, лыуэ тонн мин 11,3-рэ, гъэшу тонн мин 73,4-рэ къэдлэжьащ, джэдыкIэу мелуан 31-м нэблагъэ къитхащ. А бжыгъэхэр 2011 гъэм тхузэфIэкIауэ щытам щIегъу. «Бахъсэн муниципальнэ районым псынщIэу хэхъуэ жыг хадэхэм зэрызыщиужьынур» инвестицэ программэм ипкъ иткIэ, Италием и технологием тету, а Iуэхум гектар 960-рэ хухэтхащ. Абы щыщу гектар 236-р нэгъабэ дгъэтIысащ. КъищынэмыщIауэ, гектари 114,5-м гъэIэпхъуэнхэр щызетхьэнущ. — Iэщ гъэхъуным дауэ фехъулIэрэ? — Ди хъубжэми нэрылъагъуу къыхохъуэж. Нобэ ирихьэлIэу хозяйствэ лIэужьыгъуэ псоми Iэщышхуэу 36100-рэ щызэрахьэ, абыхэм ящыщу 15600-р жэмщ. Мэкъумэш IэнатIэхэм нэхъ жыджэру зегъэужьыным сыт хуэдэ лъабжьэ къыхузэвгъэпэщыфрэ? — Ди районыр мэкъумэш куейуэ зэрыщытыр зыщыдгъэгъупщэркъым. Ерыскъыпхъэхэр къэблэжьыр хъарзынэщ, ауэ ахэр кIэрыхуншэу хъумэнри къызэрыгуэкIкъым. А Iуэхуми дапщэщи догупсыс. Агротехпарк доухуэ, мэкъумэш IэнатIэхэм я ехъулIэныгъэщIэхэм щIэзыдзагъащIэхэм абы щыгъуазэ зыщыхуащIынущ. Бэджэндырылажьэхэм я мэкъумэш технопаркыр идогъэфIакIуэ. Нэгъабэ и закъуэ абыхэм техникэ зэмылIэужьыгъуэу сом мелуан 93-м щIигъу и уасэ къащэхуащ. Къэралми закъыщIегъакъуэ. Унагъуэ Iэщ хозяйствэхэм зегъэужьыным теухуа программэм тету, субсидие къэзыщтэну хуейхэм я зэпеуэм щытекIуа ди фермер щIэзыдзагъащIэу 10-м дэтхэнэми сом мин 300 къратащ. «2012 гъэм къуажэм социальнэу зэрызиужьынур» жыхуиIэ программэм ипкъ иткIэ, унагъуэ 16-м я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуащ. Промышленностым и гугъу тщIымэ, абыи зеужь. Нэгъабэ куейм и предприятэхэм сом мелуан 375,6-рэ и уасэ продукцэ зэгурыIуэныгъэ зыхуаIэхэм хурагъэшащ икIи 2011 гъэм елъытауэ процент 95,1-кIэ хэхъуащ. «Базис», «Строймаш» ООО-хэм къыщIагъэкI лIэужьыгъуэхэр къагъэщIэращIэурэ, IэнатIэщIэу 60 къызэрагъэпэщащ, мазэ улахуэр ику иту сом мин 15-м нагъэсащ. Теплицэ комплексхэм папщIэ гъущI пкъыгъуэ зэрыIыгъхэр щагъэхьэзырыну заводыщIэ доухуэ, ар мы гъэм тхуегъажьэмэ, цIыху 50-м лэжьыгъэ тхуетынущ. Дызыхыхьа илъэсым сом мелуан 400-м щIигъу и уасэ продукцэ ди предприятэхэм къыщIагъэкIыну икIи ящэну дыщогугъ. Социальнэ IэнатIэхэр зэгъэпэщыжыным, зэфIэгъэувэжыным хуэунэтIауэ нэгъабэ лэжьыгъэ хъарзынэ зэфIэдгъэкIащ. Мылъкум и къыхэкIыпIэ псоми я хьэкъкIэ, ухуакIуэ комплексымрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ сом мелуани 197-рэ къыщыдгъэсэбэпащ. Абы щыщу сом мелуан 56-р куей администрацэм и унэр, мелуан 60-р агротехпаркыр ухуэным хухэтхащ. ХьэтIохъущыкъуей къуажэм къат куэд хъу унитI къызыхуэтыншэу щызэдгъэпэщыжащ, а жылэм и псы къыщIэшыпIэри зыхуей хуэдгъэзащ. Къулъкъужын Ипщэ, ПсыкIэху, Псыхъурей, Крем-Константиновскэ жылагъуэхэм я кхъэхэм екIуалIэ гъуэгухэр гъэтэмэмыныр и кIэм ныдогъэблагъэ. Зи пIалъэр икIа псы кIуапIэу метр минрэ щищрэ зэтхъуэкIащ, еджапIэ щхьэхуэхэм я кIуэцIхэм хуабэ гуэшыпIэхэр щызэдгъэпэщыжащ. Газ бжьамийхэр километритIым щыдукъуэдиящ, социальнэ IуэхущIапIэу плIым я унащхьэр тхъуэжащ, Псыхъурей къуажэм и курыт еджапIэр къызыхуэтыншэу зэдгъэпэщыжащ. Республикэм и Iэтащхьэм мылъкукIэ зэрызыкъытщIигъэкъуам Iуэхур дигъэкIащ. Сатум, транспортымкIэ цIыхуу кърашэкIым, хьэлъэу ягъэIэпхъуэм, пщIэкIэ Iуэхутхьэбзэу ящIэм хэхъуащ. Мазэ улахуэр ику иту нэгъабэ районым сом 10593-м щынэсащ. Ар иджыри зэрымащIэр къыдгуроIуэ икIи абы хэгъэхъуэнымкIэ хэкIыпIэхэр мы гъэми къэтлъыхъуэнущ. ЗэрыфщIэщи, мы щIышылэм щегъэжьауэ бюджет IуэхущIапIэхэм улахуэм проценти 6 щыщIагъу. — Куейм и социальнэ IэнатIэхэм нэгъабэ я IуэхущIафэр зыхуэдам и гугъу къытхуэпщIам арат. — Зэрыщыту къапщтэмэ, псори зэпIэзэрыту лэжьащ, я къалэнхэм мыIейуэ ехъулIащ. Школхэр гъэ еджэгъуэщIэм хуэгъэхьэзырынымкIэ ди районыр республикэм щынэхъыфIхэм ящыщу къалъытащ. НыбжьыщIэхэм я процент 90,2-р ерыскъы пщтыркIэ къызэрагъэпэщ. Ислъэмей къуажэм и курыт школ №4-мрэ ХьэтIохъущыкъуейм и прогимназиемрэ сабий гъэсапIэхэм я Iуэху зехьэкIэм щыхуеджэ щIыпIэ хъуащ. Гъэ кIуам и кIэм егъэджакIуэхэм я мазэ улахуэр ику иту сом 15000-м, гъэсакIуэхэм ейр- 9478-м, унафэщIхэм къахьыр сом 28200-м нэсащ. Узыншагъэр хъумэным и псэуалъэхэр тIахыжри, республикэм и министерствэм иратащ. Арами, къуажэхэм цIыхухэм щеIэзэ я IуэхущIапIэхэм зэрытхузэфIэкIкIэ защIыдогъакъуэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт «Егъэджэныгъэ», «Узыншагъэ» лъэпкъ проект хэхахэм я фIыгъэкIэ, а IэнатIэхэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр къызэрыщыхъур, зыхуей Iэмэпсымэхэр, техникэр, транспортыр къазэрыIэрыхьэр. — Хьэсэн, сабий гъэсапIэхэмрэ спортымрэ нэгъабэ гулъытэшхуэ хуэпщIащ. Абыхэм къытхутепсэлъыхьыт. — Ар пэжщ. Мы IуэхущIапIэхэм щытыкIэр щезгъэфIэкIуэну къалэн зыщысщIыжати, мыIейуэ къызэхъулIащ. Сабий гъэсапIэхэр къыдэмэщIэкIырт, еджапIэ щхьэхуэхэм пэш нэщIхэр яIэти, а хэкIыпIэр къэдгъэсэбэпащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, школитхум сабий 315-рэ едгъэбыдылIащ. НыбжьыщIэ 245-м тещIыхьа апхуэдэ гъэсапIищ мыгувэу къызэIутхынущ. А лэжьыгъэм мы гъэми пытщэнущ. Спортымрэ физическэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным пыщIа Iуэхугъуэхэр зэмылIэужьыгъуэщ. Ди куейм цIыху мин 12-м нэблагъэм спортым жыджэру зыщыхуагъасэ. Нэгъабэ 27-р спортымкIэ мастерым и кандидат, 3-р спортым и мастер, 1-р дунейпсо классым и мастер, нэгъуэщI зыи спортым щIыхь зиIэ и мастер хъуахэщ. «Кавказ джэгукIэхэр» зэпеуэм и район, республикэ Iыхьэхэри хэту, Iуэхугъуэ 36-рэ едгъэкIуэкIащ. Футбол джэгупIэхэр доухуэ. Къапщтэмэ, Кыщпэк, Псыхъурей къуажэхэм ахэр и кIэм щынагъэблагъэ. Топ джэгупIэ IэрыщI нэхъ цIыкIуи 5 дыухуэнущ. — Мы гъэм сытхэр фи плъапIэ? — Япэ щIыкIэ нэгъабэ тхузэфIэкIахэр зэпытлъытын, къыдэмыхъулIахэр къызыхэкIа щхьэусыгъуэхэр зэхэдгъэкIын хуейщ. Ахэр куууэ зэпкърытхрэ хэкIыпIэхэр дгъэбелджылымэ, къытпэщыт къалэнхэм нэхъ тегушхуауэ деувэлIэнущ. Районым зегъэужьыным тещIыхьа жэуаплыныгъэ ин зыпылъ программэшхуэ диIэщ. Куейм и мыгъэрей бюджетыр къэтщтащ. Ар нэгъабэрейм йофIэкI, и хэхъуэхэмрэ и хэщIхэмрэ зэрызэхуэгъэкIуам и фIыгъэкIэ, Iуэхугъуэ нэхъ гугъу дыдэхэр тхузэфIэхынущ. Жылагъуэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным, къуажэ гъуэгухэр егъэфIэкIуэным, щIыпIэхэр гъэкъэбзэным, псы нэпкъхэр гъэбыдэным, мыхьэнэ хэха зиIэ псэуалъэхэр тэмэму зехьэным, хуэмыщIахэм защIэгъэкъуэным, цIыхухэм я псэукIэр къэIэтыным гулъытэшхуэ хуэтщIынущ. Экономикэм и IэнатIэхэм технологие пэрытхэр къыщыдгъэсэбэпынущ, инвестицэхэр къыхедгъэлъхьэнущ, ахэр я лъабжьэу мэкъумэшхэкIрэ промышленнэ продукцэу къэдлэжьым хэдгъэхъуэнущ, IэнатIэщIэхэр къызэIутхынущ, щIыпIэ бюджетым и хэ-хъуэхэр зэщIэдгъэуIуэнущ. А щIыкIэм тету, районым зэуIуу зедгъэужьынущ. ИлъэсыщIэм дыхыхьа къудейщ. Абы гугъэфIхэр худиIэщи, къэзгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр гъэзэщIэным дызэкъуэту делэжьмэ, ахэр къызэрыдэхъулIэнум шэч къытесхьэркъым. Епсэлъар Доткъул Сэфарбийщ, «Баксанский вестник» газетым и редактор нэхъыщхьэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24833.txt" }
Нобэ Индием щагъэлъапIэ я къэралыр щхьэхуиту щытыным щIэбэнахэм я фэеплъыр. 1933 гъэм Германием и унафэщI хъуащ фашист правительствэр, рейхсканцлер Гитлер Адольф зи пашэр. ЩIышылэм и 30 — мазаем и 1-хэм Давос (Швейцарие) щызэхэтынущ Дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм и 43-нэ сессиер. ЩIышылэм и 30 — мазаем и 2-хэм Москва и «Экспо-центр»-м щекIуэкIынущ ухуэныгъэм ирахьэлIэ пкъыгъуэхэр щагъэлъэгъуэну выставкэ. 1863 гъэм Урысейм унафэ къыщащтащ цIыхум судкIэ удын ебдзынуи, дамыгъэ тебдзэнуи хуит уимыщIу. 1930 гъэм Москва уэзджынэшхуэхэм щеуэну хуит зымыщI унафэ къащтащ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 0 — 1, щIыIэр жэщым 2 — 0 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24837.txt" }
Ар сыткIи щапхъэт Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ усакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ, РСФСР-ми КъБР-ми я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Шолохов Михаил и цIэр зезыхьэ дунейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэща, къэрал икIи жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэм и фэеплъым деж дыгъуасэ пэкIу щекIуэкIащ. ТхакIуэ цIэрыIуэр дунейм щехыжа махуэм (щIышылэм и 29-м) ирихьэлIэу ар иджыри зэ гуапэу ягу къагъэкIыжыну абдежым цIыху куэд щызэхуэсат, дунейр зэрыуэтIпсытIым емылъытауэ. Хабзэ зэрыхъуауэ, зэIущIэм зыкърахьэлIащ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм, республикэм и къулыкъущIэхэм, жылагъуэ, политикэ IэнатIэ пэрытхэм, КIыщокъуэм и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэм. Апхуэдэуи абы щыIащ и адэм и фэеплъым къыхуащI пщIэмрэ гулъытэмрэ игъэин къуэр — КIыщокъуэ Александр. Абыхэм фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. Алим дунейм щехыжа махуэр зэращымыгъупщэм щхьэкIэ къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан. — ЦIыху гъэщIэгъуэнт КIыщокъуэ Алим, зи псалъэм зэи емыпцIыжт, — къыддогуашэ и гукъэкIыжхэмкIэ тхакIуэ Къущхьэунэ Алексей. — Сэ мызэ-мытIэу сыхуэзащ абы, Москва сыщыщеджэм дызэрихьэлIэурэ. Зэхуэзэгъуэ къэси зы гъэщIэгъуэн гуэр дэслъагъурт. ПсэкIи теплъэкIи цIыху дахэти, и жагъуэ хъуIами зыкъуигъэщIэнутэкъым, езыми щхьэжэ пщыхъун лъэпкъ къыбжиIэнутэкъым. Зэи зэхэсхакъым абы и макъым зригъэIэтауэ, фIы жиIэми уиущийми зэпIэзэрытт. ФIы къыхуэзыщIа зы цIыхуи псэуху абы щыгъупщауэ си фIэщ хъуркъым. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24839.txt" }
Дунейм и телъыджищэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24848.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, мазаем и 4 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «ФIым телэжьэн». Бахъсэн къалэ дэт щэнхабзэмкIэ унэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 «Лъэтеувэ». Дохъущыкъуей къуажэ (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.00 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.20 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 УзэщIакIуэ Балкаруков Даут (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 18.25 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.25 Мультфильм (6+) 19.40 «ЛIэужь». Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Мамбэт Хьэлым (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.20 «Зэманыр. Къэхъуахэр. ЦIыхухэр». Ефэнды Джылахъстэн и тхылъыр утыку кърахьэ (16+) 20.50 «Чыкъэн». УсакIуэ Геккиев Магомед (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 21.20 «Япэхэр». Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Келеметов Шухьиб (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, мазаем и 5 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Дыгъэщыгъэ зэпэджэж» 7.50 «Абы и дунейр». Улаков Борис (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.20 «Си щиху дыщафэ». УсакIуэ Къылышбий Исмэхьил 18.00 «ТхакIуэм и псалъэ». ТхакIуэ, литературэдж Къэжэр Хьэмид (адыгэбзэкIэ) (16+) 18.35 «Зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкIхэр». УФ-м и МВД-м и Краснодар университетым и Налшык къудамэр илъэс 80 мэхъу 19.25 Мультфильм 19.35 «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ». ДыщэкI Залымхъан (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.10 «Тайм- аут». Спорт тележурнал 20.25 «Зауэм халъхуахэр». КъБР-м и Къэрал филармониер илъэс 70 ирокъу 20.55 УсакIуэ, узэщIакIуэ Чабдаров Сюлемен (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, мазаем и 6 7.00 Мультфильм 7.10 «Дыгъэщыгъэ зэпэджэж». Лыкъуэжь Нелли и пшыхь-концерт. ЕтIуанэ Iыхьэр (адыгэбзэкIэ) (6+) 7.50 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 8.05 КъБР-м гъуазджэм и лэжьакIуэхэм я концерт. ПэщIэдзэр 8.35 «ЛIыхъужьыгъэ мыкIуэдыж». Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран Доттуев Ибрэхьим (балъкъэрыбзэкIэ) 18.00 Мультфильм 18.20 «Къарачайым — Малкъарым». Къэрэшей-балъкъэр эстрадэ артистхэм я концерт. Япэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.25 Мультфильм 19.35 «КъардэнгъущI Зырамыку…» (адыгэбзэкIэ) 20.35 Каскадер Быгуэ Ахьмэд (16+) 21.00 «Ди щIэин». Отаров Керим и цIэр зезыхьэ балъкъэр щэнхабзэ центрым и лэжьыгъэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ». 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, мазаем и 7 7.00 Мультфильм (6+) 7.25 «Унагъуэ». Бозийхэ я унагъуэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.55 «Мазэгъуэ макъамэ». УсакIуэ Ахматовэ Сафариат (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.25 КъБР-м гъуазджэм и лэжьакIуэхэм я концерт. КIэухыр 18.00 Мультфильм 18.20 «Къарачайым -Малкъарым». Къэрэшей-балъкъэр эстрадэ артистхэм я концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.25 Мультфильм (6+) 20.05 «Зэхэкуэгъухэр». Футболист Натхъуэ Бибарс (Израиль) (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.20 «ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу». Сабий сымаджэхэм ядэIэпыкъуным теухуауэ (12+) 20.35 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». Декоратор Щоджэн Заур (16+) 21.05 «ЛIэщIыгъуэхэм къапхыкIыу» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, мазаем и 8 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Черкесия» гупыр къофэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.45 «Музыкант». УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Блэнауэ Быцэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.05 «МардэщIэхэр». ПэщIэдзэ еджапIэм федеральнэ программэр щыхэпщэн 8.35 «Нартхэм я хэку». IэпщIэлъапщIэхэм я фестиваль (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым и концерт 19.25 «БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ». Сирием къикIыж адыгэхэр къытхэсыхьыжыным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.50 «Етхуанэ шэрхъ». Автомобилистхэм папщIэ тележурнал (12+) 20.10 «ЩIэныгъэм лъэужь къыщыгъэнэн». Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щомахуэ Алексей (16+) 20.35 «Белляу, белляу». Балъкъэр, къэрэшей гущэкъу уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, мазаем и 9 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Адыгэ шхыныгъуэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.35 «Илъэсхэмрэ уэрэдхэмрэ». КъБР-м и цIыхубэ артист Отаров Омар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.00 «Етхуанэ шэрхъ». Автомобилистхэм папщIэ тележурнал (12+) 8.25 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 17.40 Мультфильм 17.50 «Пшынэ Iэпэр псалъэу». Пшынауэ Къудей Зое (адыгэбзэкIэ) 18.20 «Республикэм щыхъыбархэр» (адыгэбзэкIэ) 18.35 «Чемпионхэр». Къуэдзокъуэ Анатолэ 19.00 «Нэхъ лъапIэ дыдэр». Шэджэм къалэ и «дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэм теухуауэ (16+) 19.30 «ЦIыхубэ IэщIагъэхэр». ЦIыхубэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрым и унафэщI Урыс А. (12+) 20.05 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 20.25 ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, мазаем и 10 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 7.40 «СурэтыщIым и сурэт». Кулиев Азэмэт (12+) 8.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.50 Мультфильм 17.05 «ГъащIэм узэреплъщ» (адыгэбзэкIэ) (16+) 17. 45 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) 18.10 «Мир в ладошке». Сабийхэм папщIэ псапащIэ Iуэху (6+) 18.50 «Мывэхэр щызэщIакъуэж зэманщ». УсакIуэ Къэшэж Иннэ и фэеплъ пшыхь (16+) 19.50 «Калейдоскоп». Дохутыр Катальянц Вале-рэ 20.10 «Кезиу». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Биттировэ Тамарэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, мазаем и 4 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын. 21.15 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр. Гъубж, мазаем и 5 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын. 9.30 «Макъамэ пощт». 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «Литературэм и лъахэ» программэр. 21.1 0 «Зэманым и лъэужь» программэр. Бэрэжьей, мазаем и 6 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 Ретро ТВ. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист КъардэнгъущI Зырамыку. Махуэку, мазаем и 7 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «Нобэ япщэфIахэр». 9.30 «Макъамэ пощт». 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей». Уэрэзей Лидэ къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу (адыгэбзэкIэ). 21.10 ЦIыхубэ сурэтыщI Мокаев Владимир и творчествэм теухуауэ. Мэрем, мазаем и 8 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр. 20.40 «ВОЯЖ» программэр. Щэбэт, мазаем и 9 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 10.05 «Нобэ япщэфIахэр». 10.35 «Макъамэ пощт». Тхьэмахуэ, мазаем и 10 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр». 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. КъБР-м и радио Блыщхьэ, мазаем и 4 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): .00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00/18.05 «Гум и къеуэкIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «КъежьапIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, мазаем и 5 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.53/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди зэманыр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «УэрэдкIэ йохъуэхъу» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Дэтхэнэри щIыхьэну хуит ящI» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/14.30 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, мазаем и 6 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Гум и къеуэкIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «Адэжь щIыналъэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, мазаем и 7 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди зэманыр» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 9.35/17.30 «Макъамэ» (урысыбзэкIэ). 9.44/17.42 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 Уэрэдыжьхэр (адыгэбзэкIэ). 10.45/11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Чепелеу фрегъэблагъэ». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 12.25/18.30 «Дэтхэнэри щIыхьэну хуит ящI» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, мазаем и 8 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.30 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «Ф1ыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.32 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, мазаем и 9 7.00/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Илхам» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и щIыналъэм» (урысыбзэкIэ). 10.00 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.30 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00/14.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, мазаем и 10 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Республикэм и махуэ» (адыгэбзэкIэ). 7.40/8.00 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Республикэм и махуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Гум и къеуэкIэ» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ). 10.40/11.00 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35/14.00 «УсакIуэмрэ уэрэдымрэ» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24850.txt" }
Сыт хуэдэ щIыпIэхэра унэхэр щымащIэр? 2012 гъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Урысей Федерацэм и ипщэ лъэныкъуэмрэ Сыбырымрэ унэ ухуэн щыщагъэтащ. Нэгъабэ псэупIэ нэхъ мащIэ дыдэ щаухуар Магадан областырщ, 2012 гъэм и япэ мазибгъур къапщтэмэ, метр зэбгъузэнатIэу мини 6,9-рэ щатауэ аращ а щIыналъэм, ар къэралым унэу иращIыхьам тепщIыхьмэ, процент 1,7-рэ хъууэ аращ. ИкIи тIукIэ нэхъ мащIэщ абы и пэ ита илъэсым еплъытмэ. Тывам — метр зэбгъузэнатIэ мин 19,2-рэ, Ненецкэ автоном округым метр зэбгъузэнатIэ мин 11,9-рэ щатауэ аращ. Ауэ щыхъукIэ, псэупIэм и уасэм кIуэ пэтми хохъуэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Магадан риэлторхэм зэрыжаIэмкIэ, блэкIа илъэсым къриубыдэу псэупIэхэм я уасэм процент 18-кIэ щыхэхъуащ а щIыналъэм, нобэ абы зы метр зэбгъузэнатIэр сом мин 42-рэ щиуасэщ. Тыва, статистикэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, сом мин 35,3-кIэ къыщыпщэхуфынуращ метр зэбгъузэнатIэр, Ненецкэ автономием ар сом мин 56-рэ щиуасэщ. Урысей псом щызекIуэ уасэхэм еплъытмэ, ар лъапIэкъым. Къалэм и экономикэмкIэ институтым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ипщэ щIыналъэхэм псэупIэ къыщызыщэхухэм я бжыгъэм илъэс къэс хощI. Тыварэ Магаданрэ фэтэрым щIэупщIэшхуэ щаIэкъым, а щIыпIэхэм къиIэпхъукIхэр зэрыкуэдым къыхэкIыу. «2008 гъэм щыIа кризисым иужькIэ, псэупIэм епха сатур щызэфIэувэжакъым а хэгъуэгухэм: производствэхэр зэхуащIу цIыхухэм лэжьапIэ ямыгъуэтыж хъуа нэужь, нэгъуэщI щIыпIэхэм Iэпхъуэ, фэтэрхэр ямыщэхуж хъуащ», — жеIэ риэлторхэм я урысей гильдием и вице-президент Апрелев Константин. Абы куэдкIэ къыкIэрыхуркъым Къалмыкъыр, Самарэ, Иркутск областхэр, Забайкальер. Мыбыхэм 2012 гъэм псэупIэу щаухуар плIыкIэ нэхъ мащIэ хъуащ и пэ ита илъэсым елъытауэ. ИкIи мы хэгъуэгухэм цIыхухэр псэупIэкIэ къызэрыщызэгъэпэщар къэралым, ику иту къапщтэмэ, щызекIуэ бжыгъэм нэхърэ тIэкIу нэхъ мащIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Урысейм зы цIыхум метр зэбгъузэнатIэу 23-рэ къыщылъысмэ, Къалмыкъым, Самарэ областым метр 21-м мащIэу щыщIигъуу аращ, Иркутск зэрыщыхъур метр зэбгъузэнатIэ 22-рэщ. Апхуэдэу щытми, иужьрей илъэсым фэтэрхэм процент 18-кIэ щыхэхъуащ Забайкалье, а хэгъуэгум, ику иту къапщтэмэ, зы метр зэбгъузэнатIэр сом мин 38-рэ щиуасэщ. Иркутск проценти 8-кIэ щыхэхъуащи, метр зэбгъузэнатIэр сом мин 46-рэ щохъу. Москваи нэхъ хуэм щыхъуащ унэ щIыныр. Росстатым къызэрибжамкIэ, блэкIа илъэсым и фокIадэ хъуху метр зэбгъузэнатIэу мелуаным нэс щатащ щыхьэрым, ар процент 20-кIэ нэхъ мащIэщ абы и пэ ита илъэсым нэхърэ. Ауэ мыбдеж нэхъ мащIэ щIэхъуам и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: 2010 гъэм къалэ администрацэм инвестицэ зэгурыIуэныгъэхэр ягъэзэщIэныр къызэтригъэувыIати, метр зэбгъузэнатIэ мелуани 9-р ямыщIу къэнауэ жыпIэ хъунущ. Абы и Iыхьэ плIанэр псэупIэу къагъэсэбэпыну арат. Зи гугъу тщIы Iуэхум фэтэрхэр нэхъ лъапIэ ищIыну къыщIэкIынщ. ПсэупIэ ухуэнымкIэ псом япэ итщ Шэшэн Республикэр. БлэкIа илъэсым и япэ мазибгъум хуэди 5-кIэ нэхъыбэ яухуат, абы и пэ ита гъэм ящIам нэхърэ. Ингушым ар тIукIэ щынэхъыбэщ, Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Камчаткэмрэ процент 40-кIэ нэхъыбэ щаухуащ 2012 гъэм. А псор щыхьэт зытехъуэр псэупIэ ухуэным ехьэлIа программэмкIэ щIыналъэхэм хуаутIыпщ федеральнэ ахъшэр нэхъыбэ зэрыхъуарщ. Кавказ Ищхъэрэм ис цIыхухэр унэкIэ къызэрызэгъэпэщар 2011 гъэм Урысейм щынэхъ лъахъшэ дыдэу щытащ — зы цIыхум метр зэбгъузэнатIэ 17 хуэзэу арат. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, экономикэ зыужьыныгъэм къыпэкIуэу унэ нэхъыбэ щаухуэр Краснодар край закъуэращ, 2011 гъэм елъытауэ процент 25-кIэ нэхъыбэ нэгъабэ щаухуащ мы щIыналъэм. Къэбарт Мирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24853.txt" }
Мы махуэхэм ЩIышылэм и 31, махуэку 1943 гъэм генерал-фельдмаршал Паулюс Фридрих зи пашэ нэмыцэдзэр Сталинград и деж къыщаухъуреихьащ. 1996 гъэм къащтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм зегъэужьыным теухуа къэрал программэ. США-м и астронавт хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ Тхыдэдж, филолог, журналист КIашэ Адэлджэрий къызэралъхурэ илъэси 176-рэ ирокъу. УФ-м и цIыхубэ артисткэ, адыгэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, композитор Сэмэгу Гуэщнагъуэ къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу. Журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ Ныбэжь Таисэ къыщалъхуа махуэщ Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэ щытелъынущ, уэс къыщесынущ. Хуабэр махуэм градус 0 — 1, щIыIэр жэщым 1 — 0 щыхъунущ. Мазаем и 1, мэрем 1931 гъэм Москва къыщызэIуахащ Союзкино («Мосфильм») фабрикэр. 1829 гъэм Нэгумэ Шорэ Налшык къыщызэIуихащ сабий нэхъ акъылыфIэхэм я школ. 1929 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал хорыр къызэрагъэпэщащ. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къардэн Лъостэнбий къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу. Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Лъэпщокъуэ МутIалиб и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу. Археолог, лъахэдж, узэщIакIуэ ТIэш Мадин и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу. Адыгэ Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ Куэшбей Пщымахуэ и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэ щытелъынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 2 — 0, жэщым 1 — 0 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24856.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Медведевым къыбгъэдокI Адыгей. Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий къыIэрыхьащ Урысейм и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий къыбгъэдэкI сурэт альбом. «Президент Медведев Дмитрий» фIэщыгъэр иIэу нэгъабэ дунейм къытехьащ а альбомыр. къэралым и Iэтащхьэ къулыкъум щыпэрыта 2008 — 2012 гъэхэм Медведевыр зыхэта, мыхьэнэшхуэ зиIэ икIи нэхъ гъэщIэгъуэн Iуэхугъуэхэм щытраха сурэтхэр щызэхуэхьэсащ абы. Сурэтхэм я нэхъыбэр хухэхащ къэрал Iэтащхьэм щIыналъэхэм щригъэкIуэкIа лэжьыгъэм. Абыхэм яхэтщ ар Адыгейм зэрыщыIар, ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий щIыгъуу курыт еджапIэ №1-м зэрихьэщIар къызэрыщ сурэтхэри. Медведевым и Iэ щIэлъу, псалъэ гуапэхэр тетхауэ ТхьэкIушынэм апхуэдэ зы альбом тыгъэ къыхуищIащ. Адыгейм и махуэ Адыгейр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIагъэкIыжрэ, Сталинград зауэр зэриухарэ илъэс 70 зэрырикъур республикэм щагъэлъапIэ. Махуэшхуэхэм ятеухуа зэхыхьэр вэсэмахуэ къыщызэIуахащ а лъэхъэнэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъу Мейкъуапэ дэт ЩIыхь мемориалым деж. Ветеранхэмрэ щIалэгъуалэмрэ абы удз гъэгъахэр тралъхьащ. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр, а лъэхъэнэм къыхэтэджыкIахэр, щIалэгъуалэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр МафIэ мыужьыхым деж щызэхуэсат къалэмрэ республикэмрэ нэмыцэ-фашистхэм щахъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуащIын папщIэ. А зауэ гуащIэр щекIуэкIа лъэхъэнэм Мейкъуапэ и промышленнэ IуэхущIапIэ, сымаджэщ, школ зыбжанэ фашистхэм зэтракъутауэ щытащ. Къалэдэс мини 4-м щIигъу хэкIуэдащ. 1943 гъэм мазаем и 18-м Дзэ Плъыжьым Тохъутэмыкъуей куейр, IэфIыпс, Псейтыкъуэ жылагъуэхэр хуит къищIыжащ. Ар Адыгейр хуит щыхъужа махуэу къалъытэ. А зауэ гуащIэхэм хэтахэм ящыщу нобэ псэужыр цIыху 24-рэ къудейщ. ЩIымахуэ бдзэжьеящэ Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и щIыналъэм щокIуэкI «ЩIымахуэ бдзэжьеящэ-2013» кIэлъыплъыныгъэ лэжьыгъэр. Абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынырщ, псыхэм итхьэлэр, насыпыншагъэхэр гъэмэщIэнырщ. Бдзэжьей щещэу щIымахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм цIыхухэр нэхъ щызэтрихьэ щIыпIэхэр, ахэр 10 мэхъу, Урысей МЧС-м и Управленэу КъШР-м щыIэм и IэнатIэм иубзыхуащ. Абы и лъэныкъуэкIэ рейдхэр ирагъэкIуэкI, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм гулъытэ щхьэхуэ хуащIу я нэIэ щIэтщ. IэщIагъэлIхэм бдзэжьеящэхэм чэнджэщ ират мылым щысакъын зэрыхуейм теухуауэ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24858.txt" }
НыбжьыщIэхэм IэмалыфI ират Дыгъуасэ «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и пашэхэр Налшык щыхьэщIащ. Къуэдзокъуэ Мухьэмэд и псалъэ. Абы хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и Аппаратым и унафэщIхэр, «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и Iэтащхьэ Руднев Максим, КъБР-м и щIалэгъуалэ палатэм хэтхэр, нэгъуэщIхэри. ХьэщIэхэр япэ щIыкIэ КъБР-м и Парламентым и Унэм щыIущIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Жаным Руслан. КъыкIэлъыкIуэу ахэр Налшык къалэ дэт «Синдика» интур-хьэщIэщым щахуэзащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. ЩIалэгъуалэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэза нэужь, Къуэдзокъуэм жиIащ мыпхуэдэ зэIущIэхэр зэрыщхьэпэр, къэралыр къарууфIэ зыщIыр, псэ къыхэзылъхьэр щIэблэр арауэ зэрыщытыр, абы къыхэкIыу сыт хуэдэ Iуэху дахэри даIыгъыну зэрыхьэзырри дыщIигъуащ Мухьэмэд. Руднев Максим къыщыпсалъэм жиIащ «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» зэгухьэныгъэм зи щIалэгъуэм IэмалыфI куэд зэрыритыр, ар гулъытэншэу къэбгъанэ, лъэныкъуэкIэ IубгъэкIуэт хъуну Iуэхухэм зэращымыщыр. Рудневым къыхигъэщащ «Урысей зэкъуэтым и щIэблэм» и къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм и лэжьыгъэр зыунэтIыну 2012 гъэм и дыгъэгъазэм хаха Геккиев СулътIан къиIэт Iуэхухэмрэ ищI мурадхэмрэ хуабжьу арэзы укъэзыщIу зэрыщытыр, езыхэми зэралъэкIкIэ абы зыкъыщIагъэкъуэну къагъэгугъащ. Щомахуэ Залинэ. Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24860.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Гу зылъытапхъэ Иджырей щIэнгъуазэ Wikipedia — Интернетым къыщагъэсэбэп щIэнгъуазэщ. Абы ит тхыгъэхэр дуней псом щызекIуэ бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ятх. Википедием и щхьэхуэныгъэ нэхъыщхьэр сыт хуэдэ хъыбарри уи анэдэлъхубзэкIэ къузэритырщ. ЩIэнгъуазэм я нэхъ ин Хъыбару щызэхуэхьэсам и куэдагъымрэ къызэщIиубыдэ унэтIыныгъэ и лъэныкъуэкIэ цIыхур къызэрежьэрэ къыдагъэкIа щIэнгъуазэм я нэхъ ину къалъытэ Википедиер. Интернетыр къэзыгъэсэб цIыхур Википедие сайтым ихьэмэ, къилъыхъуэм теухуауэ тхыгъэхэр къыхущIигъэщынущ. Щыуагъэ е зэтемыхуэныгъэ гуэр къыхэкIамэ, «зэгъэзэхуэжын» кнопкэм тепкъузэу, пэжыр птхыж мэхъу, апхуэдэуи уи тхыгъэ хэбгъэувэну ухуеймэ, иплъхьэ хъунущ. Апхуэдэурэ щIэнгъуазэм нэхъри зеужь, хъыбар нэхъыбэ ит мэхъу икIи дэтхэнэ зы цIыхуми и щIэныгъэр къыщосэбэп. Дауэ ар къызэрежьар? Википедием ипэ итар Нупедиеращ (Nupedia) — ар инджылызыбзэкIэ тха щIэнгъуазэм и проекту арат, хъыбарым и хуитыныгъэр пхигъэкIыу. Нупедием ит тхыгъэхэр зи IэдакъэщIэкIыр щIэныгъэлIхэмрэ тхакIуэхэмрэт. Ар къызэзыгъэпэщар Сэнгер Ларрирэ Уэйлс Джиммирэщ. ЩIэнгъуазэм зегъэужьыныр нэхъ щIагъэпсынщIэн папщIэ, 2001 гъэм щIышылэм и 15-м Уэйлсрэ Сэнгеррэ «Википедие» сайтыр къызэрагъэпэщауэ арат. Абы лъандэрэ щIэнгъуазэр егъэфIэкIуэным, зегъэубгъуным хуитщ Интернетым ирилажьэ дэтхэнэ зы цIыхури. Википедием и цIэр къызытекIар а сайтыр зэрагъэлажьэ технологием и фIэщыгъэращ («вики»). Гаваибзэм къипхмэ, «псынщIэ» къикIыу аращ. 2001 гъэм и накъыгъэм Википедием бзэ зэмыщхьхэмкIэ лажьэу щIидзащ: урыс, нэмыцэ, швед, франджы, итальян, испан, португал, эсперанто, иврит, япон, нэхъ иужьыIуэкIэ — хьэрыпыбзэмрэ мэжэрыбзэмрэ. Иджыпсту Википедием бзэуэ «щолажьэ» 260-рэ. Википедием зэпымыууэ зеужь. Сайтым ис дэтхэнэ зыми сытым дежи къыхуощхьэпэ а щIэнгъуазэр, икIи Интернет-ресурсым щыщу цIыхухэм нэхъыбэ дыдэрэ къагъэсэбэпу пщIым ящыщщ. Гупсысэм хуэдэу псынщIэу Вики и технологием и фIыгъэкIэ абы илъ тхыгъэхэр псынщIэ дыдэу зэрахъуэкI, хъыбархэр иралъхьэ. Къэфлъыхъуэ хъыбарым теухуа тхыгъэр дакъикъэ иримыкъум къыфхуигъуэтынущ, икIи фэ фщIэр апхуэдэ дыдэу щIы хъурейм и дэнэ плIанэпи щыпсэум и деж нэфхьэсыфынущ. Ru. Википедие Урыс Википедиер нобэкIэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ, абы тхыгъэ мин 600-м щIигъу итщ. Ар хыкIэ нэхъыбэщ Совет щIэнгъуазэ иным (БСЭ) щызэхуэхьэсам нэхърэ. 2010 гъэм урыс Википедиер зыгъэлажьэхэм «Интернет-сообщество года» унэтIыныгъэм «РОТОР» саугъэтыр къыщратауэ щытащ. Википедием и напэкIуэцIхэр къызэIузыхыр цIыху лIэужьыгъуитIщ: зи щIэныгъэр хэзыгъэхъуэну хуейхэмрэ тхыгъэ изылъхьэхэмрэ. Википедием уи щIэныгъэр хэбгъэхъуэн мурадкIэ уихьамэ, текстым тету узрихьэлIэ дамыгъэхэм гу лъыптэн хуейщ. Абыхэм къыбжаIэ шэч къызытехьапхъэхэмрэ пцIы зыхэмылъхэмрэ. Шыпш Даянэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщегъэпсэху. Сурэтыр ЖУРТ Хьэсэн трихащ. 2006 гъэ Шхыныгъуэхэр ТхьэкIумэкIыхьыл гъэбэкхъа ТхьэкIумэкIыхьыл гъэкъэбзар Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпауд, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, бжьыныху, шыгъу, шыбжий халъхьэ, фIыуэ зэIащIэ. ИтIанэ лы Iыхьэхэр тхъу къэплъа зэрыт тебэм иралъхьэри лъэныкъуитIымкIи тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. Тебэм кърахыжри, шыуаным иралъхьэ, абы халъхьэ IупщIэ инурэ упщIэта бжьыныщхьэ, псывэ щIакIэ. И щхьэр трапIэри зэ къытрагъэкъуалъэ, мафIэр цIыкIу ящIри дакъикъи 10-15 хуэдизкIэ ягъавэ. Абы иужькIэ лым шатэ щIакIэ, бжьыныху, шыгъу халъхьэ, зэIащIэри шыуаныщхьэр тепIауэ хьэзыр хъуху, дакъикъэ зытхухкIэ, ягъэбэкхъ. Шыуаныр хьэкум къытрахыж, джэдгын траудэри, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъи 4-5-кIэ щагъэт. ЗэрызэщIэлъу, пщтыру Iэнэм трагъэувэ. Дашх пIастэ, мырамысэ, чыржын, мэжаджэ. Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): ТхьэкIумэкIыхьылу — грамм 300 Лэпсу е псывэу — грамм 25-рэ Шатэу — грамм 50 Бжьыныщхьэу — грамми 100 Бжьыныху укъэбзауэ — грамм 15 Тхъууэ — грамми 100 Шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз. КIапэ жьахуэ, фо хэлъу Мы шхыныгъуэр щIыIэ узымкIэ сэбэпщ. Мэл кIапэр тыкъыр цIыкIуурэ зэпаупщI, псы щIыIэ тIэкIу щIакIэ, шыуаным иралъхьэри, мафIэ мыиным тету, бэлагъкIэ зэIащIэурэ гъуэжьыфэ къытеуэху ягъажьэ. ИтIанэ щэ ткIуар къыщIагъэж, жьахуэр трагъэувэжри тхъуэплъ дахэ хъуху трагъэт. ИужькIэ шыуаныр мафIэм къытрахыжри, зэIащIэурэ фо хакIэ. ТIэкIу ягъэупщIыIу, кхъуэщыным иракIэ, и щхьэр трапIэри, щIыIапIэм ягъэув. Мыр бжьыхьэм ягъэтIылъ, гъатхэ шхын ящIыну. Мырамысэ, щIакхъуэ, пIастэ докIу. Халъхьэхэр: КIапэ жьахуэу — грамми 110-рэ Фоуэ — грамми 110-рэ Псы щIыIэу — зыхуейм хуэдиз. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. ФщIэуэ пIэрэ? Тхылъ еджэхэмрэ еджам едаIуэхэмрэ ТхакIуэфIхэм я IэдакъэщIэкIхэм къеджэр нэхъ дахэу псалъэ мэхъу. Щэнхабзэр узэджа тхылъым я бжыгъэракъым, атIэ узэджахэм ящыщу къыбгурыIуарщ. Тхылъ еджэ цIыхур сытым дежи зы щхьэкIэ нэхъ лъагэу щытынущ телевизор еплъхэм нэхърэ. ЦIыхухэр гупитIу зэщхьэщокI: тхылъ еджэхэмрэ еджам едаIуэхэмрэ. КIэпIейкIэр сом зэрыхъум ещхьу, тхылъу узэджэр щIэныгъэ мэхъу. Тхылъым мафIэ щIэбдзэу бгъэсыным нэхърэ нэхъ Iуэху икIэщ уемыджэныр. Фигу ивгъэлъ: фызихуэдэр къызэрыпщIэр фызэджэхэмкIэщ. ТхылъыфIыр зи ныкъуэ псор псы щIагъым щIэгъэпщкIуа айсбергым ещхьщ. Псалъэжьхэр Щхьэ зыфIэтыр пыIэ щыщIэнукъым Унагъуэ зэгурымыIуэм фIыгъуэ илъкъым. (Ингуш). Лъагъуныгъэ зэрымылъ унагъуэр лъабжьэ зимыIэ жыгым хуэдэщ. (Лак). Щхьэ зыфIэтыр пыIэ щыщIэнкъым. (Балъкъэр). Пэжыр къару лъэщщ. (Осетин). Уи япэ лъэпэрэпам ущIэмынакIэ. (Шапсыгъ). Дыгъужьым и кIэр пыбупщIкIэ ар хьэ хъунукъым. (Нэгъуей). КIэпIейкIэр зымылъытэм сомми пщIэ хуищIынукъым. (Лезгин). Делэр шым тегъэтIысхьи, и адэ къицIыхужынукъым. (Къумыкъу). ГъэщIэгъуэнщ ЦIыху къызэрымыкIуэхэр Грин Хетти (1834 — 1916). Мы цIыхубзым нэхърэ нэхъ быдэ дунейм къытехьауэ къыщIэкIынкъым. И быдагъымрэ IуэхукIэ зэрынабдзэгубдзаплъэмрэ беягъышхуэ къыхуахьащ, икIи дунейм щынэхъ къулей бзылъхугъэу къалъытащ. Апхуэдиз ахъшэ зэриIэм хуэдэу, апхуэдизкIэ и мылъкур зэригъэзахуэрти, зыцIыху псоми яфIэтелъыджэт. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, Хетти сытым дежи щыгъыу щытар зы бостей фIыцIэ цIыкIущ, доллар ныкъуэ зи уасэ хьэлывэ фIэкIа ишхыртэкъым, псы пщтыр зэи къигъэсэбэпыртэкъым. Щылажьэр банкым и пэIущIэ пэшышхуэрат, тхылъымпIэ зэрылъа коробкэхэмкIэ къэгъэтIылъыхьауэ, ар бэджэнд уасэ имытын щхьэкIэт. Хетти и псэупIэр сытым дежи ихъуэжырт, нэхъ пуду къыкъуэкI мотелым щIэтIысхьэрти, нэгъуэщI къыкъуэкIыху щIэсу арат. Ари налог IуэхущIапIэм гу зылъримыгъэтэн щхьэкIэт. И къуэм и лъакъуэр щикъутам, къамыцIыхужын хуэдэу зихуапэри, жылагъуэ сымаджэщым ишат, ахъшэ щIимытын щхьэкIэ. АрщхьэкIэ, къэзылъэгъуахэм къацIыхужати, гужьейри къыщIэжыжауэ щытащ и къуэ сымаджэр къигъанэри. Абы тригъэкIуэдэну мылъкум щысхьри, и кIэм нэсу дохутыр къригъэIэзатэкъыми, щIалэм и лъакъуэр пахын хуей хъуащ. Езы дыдэри сымаджэ щыхъуам, операцэм доллари 150-рэ ихьынути, дохутырыр зригъэIусауэ щытакъым. А лъэхъэнэм къриубыдэу абы доллар мелардитI иIэт. Абы иужькIэ зыбжанэрэ инфаркт иIащ, иужьрейм илIыкIащ и ныбжьыр илъэс 81-рэ хъууэ. Дохъушокъуэ Синэ. Тхыдэм уриплъэжмэ Япэ метро Фишер Бобби илъэс 13 фIэкIа мыхъуауэ 1957 гъэм шахматхэмкIэ чемпион щыхъуауэ щытащ США-м. XX лIэщIыгъуэм къыхэна шахматист нэхъ ехьэжьахэм ящыщщ ар. Фишер шахмат джэгунымкIэ зэчиишхуэ зэрыбгъэдэлъыр пасэ дыдэу наIуэ хъуат. И ныбжьыр илъэс 13-м иту юниорхэм я деж щытекIуащ, 1957 гъэм США-м и чемпион нэхъ щIалэ дыдэу къалъытащ. Аргуэру зы илъэс дэкIа нэужь, шахматым и тхыдэм хэта гроссмейстер нэхъ щIалэу къалъытащ. * * * Мексикэм и ипщэ лъэныкъуэм Монте-Альбан археологие заповедник зыхэщэщэжам XIII лIэщIыгъуэм щыщ гъэтIылъыгъэ гуэрхэр къыщагъуэтауэ щытащ 1932 гъэм. Колумб и пэ щыIа Америкэм и зы къалэ нэхъ ин дыдэ илъэс минитIым нэблагъэкIэ щытащ а заповедникым деж. * * * 1863 гъэм дуней псом щыяпэу Лондон метро гъуэгу къыщызэIуахауэ щытащ. * * * Дунейм и щытыкIэнур къэзыхутэ IэнатIэр Урысейм къыщызэрагъэпэщауэ щытащ 1872 гъэм. ЩIышылэм и 13-м Санкт-Петербург дэт геофизическэ обсерваторэм дунейм и щытыкIэнур зэрыт бюллетень махуэ къэс къыщыдагъэкIыу щIадзащ. Къэбарт Мирэ. ЦIыхушхуэхэм я гупсысэхэр Насыпыр зылъысыр Ухъуапсэу ущысыныр зыри и мыхьэнэкъым, а узыщIэхъуэпсыр зыIэрыбгъэхьэным иужь уимытмэ. Хорхе Анхель. Насыпыр зылъысыр куэдрэ лажьэрщ. Леонардо да Винчи. ЦIыхум и хэщIыныгъэ нэхъ ин дыдэр зэманыр пщIэншэу гъэкIуэдынырщ. Теофраст Тиртам. ЦIыхум нэхъ лъапIэ дунейм къытехьакъым. Ар адрей псэ зыIут псоми акъылкIэ къащхьэщокI, и дуней тетыкIэкIи ар игъэпэжу щытын хуейщ — нэхъыщхьэращи, и къабзагъэкIэ, узыншагъэкIэ, губзыгъагъкIэ, псэукIэкIэ. Павлов Иван. ЦIыхур псэуху и гугъэр фIэкIуэд хъунукъым. Сенекэ. АкъылкIэ лажьэм и гъащIэр хьэлъэ хъунущ, и Iэпкълъэпкъыр имыгъэлажьэу, къарукIэ зыгуэр имыщIэу щытмэ. Толстой Лев. ГушыIэхэр Махуэу сылъыхъуэри… Пщыхьэщхьэм Хъуэжэ и шыдыр имыгъуэтыжу къыдыхьэжащ. Жэщыбгым нэсауэ, пщIантIэм Iэуэлъауэ гуэр къыщыIуащ. — Си шыдыжьыр къэкIуэжауэ къыщIэкIынщи, щIэзгъэхьэжыныщ, — жиIэри, Хъуэжэ унэм къыщIэкIащ. Iэуэлъауэр къыздиIукIыр шыдыр здэщыт хабзэмкIэти, абыкIэ кIуащ. ДыгъуакIуэхэр шыдым лъыхъуэу абы щIэту щилъагъум: — Сэ махуэу сылъыхъуэри, згъуэтыжакъым, фэ жэщу вгъуэтын фи гугъэрэ а си шыдыжьыр? — жиIэри Хъуэжэ унэм щIыхьэжащ. Уэ уадэщ, сэ сыкъуэщ Николай Езанэ пащтыхьым дзэхэр къызэхикIухьырт. Сатыру ягъэува сэлэтхэм зы къахэпIиикIырт. Пащтыхьым абы гу лъитащ икIи еупщIащ: — Хэт ухъуну, сэлэт? — Романов. — ЗэрыжыпIэмкIэ, уэрэ сэрэ дызэблагъэщ. Сыт хуэдэу пIэрэ укъызэрысхущытыр? — Уэ Урысейм уриадэщ, сэ абы срикъуэщ. Унэгуащэхэм щхьэкIэ Ерыскъы Iей щыIэкъым Ерыскъы Iей щыIэкъым, цIыху Iейщ щыIэр. Шэрджэсхэм хьэгулывэр бегъымбар шхыну ябжу щытащ, абы хущхъуэгъуэ куэд зэрыхэлъым щхьэкIэ. Хьэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр ирагъэшхырт зи къупщхьэ къутахэм. Зи дзажэ къутам хьэ мырамысэ ирагъэшхырт, ар захуэу кIыжын щхьэкIэ. Абы хэлъщ къупщхьэр зыгъэкIыж пкъыгъуэхэр, къапщтэмэ, фосфор, кальций, нэгъуэщIхэр. ЦIыхум и тхьэкIумэр щыузым и деж, къэрмэфибл дагъэ ирагъаткIуэри, мэхъуж. Лыр нарзаныпскIэ бгъавэмэ нэхъ щIэхыу мавэ икIи лэпс IэфI къыщIовыкI. Мыгъэлыгъуауэ хуэрэджэ купкъ, щIыдэ, пщIий куэд пшхымэ, щхьэр егъэуз. ПIастэ зэрызэпагъэжа сэр занщIэу лъэщIыжын хуейщ, арыншамэ кIэрогъуэри, гъэкъэбзэжыгъуей мэхъу. Хьэлыуэр щаубэкIэ я Iэр куэдрэ псыф ящIмэ, хьэлыуащхьэр тоуцIыныкI. Мэжаджэр щагъажьэкIэ, къэмычэн щхьэкIэ, и щIыIум шху щахуэ. Нартыху цIынэр щагъавэкIэ шыгъу хадзэркъым. Шыгъум хьэдзэхэр зэрегъалъэ, вэгъуей ещI, IэфIи хъуркъым. Къубатий Борис. Псалъэзэблэдз Адыгэ псалъэжьхэр дигу къэдвгъэгъэкIыж ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. Япэ … ущIэмынакIэ. 14. … дыгъуфэ. 15. … , пщампIэкъым. 16. … зытебгъэгусэмэ, ари къыплъысыжынукъым. 17. … и кIэр дэуеяти, бжэныр дыхьэшхащ. 18. … и гуахъуэкI бэлацэщ. 19. … еуэр лIы мыхъущи, хъуэр зымыдэр лIы делэщ. 20. … мин зиIэ жьагъэ игу пыкIыркъым. 21. Адыгэ IуэрыIуатэм къыхэщыж цIыхубз пелуан. 22. … щхьэрыуэ. 23. Пабжьэм апхуэдэуи йоджэ языныкъуэ адыгэхэр. 24. … щхьэ ядешх, щIэм лъакъуэ ядешх. 25. … жыпIэу унэгъу умыщI, щIалэщ жыпIэу къебгъэшэн къыумыгъанэ. 26. Бырыбыплъ, зауэлIищэм я напэ. 27. … псы кIэрыпщIэрэ? 28. … зымыщIэжым и унэр иречри иресэж. 29. … мыкъу уврэ, … къуа зигъэщхърэ? 30. … мэлыхъуэ ящIрэ? 31. Жэщым дзыгъуэ ещэнкIэ Iэзэ а къуалэбзум, адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, и гугъат тхьэрыкъуэ къришыну. 32. … хэмыхьэ Iыхьэншэщ. 33. … илъыр къащIи, си IэмыщIэ илъыр уэстынщ. 34. …, щIыбагъырыуб. 35. … жаIа нэужьи зэ еплъыж. 36. «… благъэращ Iыгъын хуейр, адрейхэр сытым щыщ?» жиIэрт, жи, щIалэжь гуэрым. 37. Псым хэмыхьэу хъыкIэ мэщакIуэ, ауэ къиубыдыр бадзэщ. 38. … хьэжы зыкъещI. 39. Iэщ … бгъашхэмэ, уи Iупэр дагъэ къищIынщ, цIыху … бгъашхэмэ, уи Iупэм къеуэжынщ. 40. И унэм … къыщIыхьати, Хъуэжэ абы бгъэдыхьэри елъэIуащ, жи, «зыгуэр къэбгъуэтмэ дыздэгъэгуашэ» жиIэри. 41. … и гъуэгу зэпаупщIыркъым. 42. Сэхураным щхьэкIэ къуажэхьым жеIэ: « … хуэдэу хъуреябзэщ, бзэгуу иIэр дагъэ защIэщ, щIым къыхэкIмэ, дыгъэм хуоплъэ». 43. … еуэм зегъазэри, кхъуей зыхузыр тхьэмыщкIэщ. 44. … зышхар псы йофэж. 45. … пэтрэ мэхъуапсэ. И кумкIэ кIуэуэ: 1. … нэхърэ бащIэ. 2. … мышынэ-мыукIытэ мэлыщхьэ фIэбзам щошынэ. 3. Iэмбатэ зэрымытым … ирегъэувэ. 4. … къашэри вынэ ирищIщ. 5. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ зимыIэр зеиншэ пэлъытэщ. 6. « … жьыщIэпс иумыкIут, фIыкъым», жаIэ. 7. Джэдылым щхьэкIэ жаIэ: «зил IэфIу зифI …». 8. Щхьэц … е жыг … 9. … жыIэгъуафIэ щхьэкIэ, щIэгъуафIэкъым. 10. Псыежэхым и … макъыр гугъэпсэхущ. 11. Фыз хьилэшым и лIыр … къищIащ. 12. … пэтрэ нэ иращI. Гу зылъытапхъэ: ихъуреягъкIэ къэзыкIухь псалъэхэм зым и кIэухыр къыкIэлъыкIуэм и щIэдзапIэщ. Щапхъэ: фэнд — дэгу — гуэн. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. ЩIышылэм и 26-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 3. Мысачэ. 6. Балъкъыз. 9. Ныш. 11. Собэ. 12. Пхъэр. 13. Теплъэгъуэ. 14. Гуэгуэн. 17. Сэбэп. 19. Хьэтыкъ. 21. Щыблэ. 22. Арджэн. 23. Сэ. 24. Медан. 27. Ер. 30. Бру. 31. ХъэтI. 32. Афэ. 33. Блэ. 38. Хьэ. 39. Аркъэн. 41. Кхъухь. 42. Пшэплъ. 43. Ерчэн. 45. Пыжьей. 46. Сэшхуэ. 47. Жьапщэ. 48. БгъуэнщIагъ. 51. Хамэ. 53. Къады. 55. Пщы. 56. Азэмэт. 57. ХьэлIамэ. Къехыу: 1. ЩIыIуб. 2. ЦIырхъ. 4. Чынт. 5. ЦIыплъ. 7. Алмэ. 8. Псыгуэнсу. 10. Гурэ пкIырэ. 15. Гуэщ. 16. Набжэ. 17. Сэджыт. 18. Бын. 19. Хьэм. 20. Къан. 25. ЕнтIыр. 26. Абазэ. 28. Къурш. 29. Кхъулэ. 34. Тхьэусыхафэ. 35. Бжьэпэ. 36. Бэчыжь. 37. Щхьэгъэрыт. 39. Алъп. 40. Ней. 42. Пэш. 44. Нып. 48. Банэ. 49. Нащэ. 50. Гъасэ. 52. Мазэ. 54. Армэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24866.txt" }
Лъэпкъым и лIыгъэмрэ и гуащIэмрэ я щапхъэ Сталинград IэщIэкIамэ, ди къэралым къыпэплъэр жыIэгъуейт 1940 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м Гитлер къищта «Барбаросса» унафэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, СССР-м уащхъуэдэмыщхъуэу теуэным хуэгъэпса «уафэхъуэпскI» зауэр ирагъэжьэну нэмыцэхэр хьэзырт. Мэзкуу и деж къыщрагъэкIуэтыжа иужь, нэмыцэхэм къагурыIуащ КъуэкIыпIэ фронтым и кIыхьагъкIэ зэребгъэрыкIуэн къару зэрамыIэр. Гитлерыдзэхэм гъэсыныпхъэ къемэщIэкI зэрыхъуар абы къыхыхьэжри, вермахтым унафэ ищIащ фронтым и ипщэ лъэныкъуэмкIэ нэхъ тракъузэну. ЩIыдагъэм хуэкъулей Грознэрэ Бакурэ абыкIэ щыIэт… Тыншу къащтэну къащыхъурт Нэмыцэхэм а лъэхъэнэм Сталинград тыншу къащтэну къащыхъурт. Абыхэм зэрагугъэмкIэ, а къалэм генерал-полковник Паулюс Фредерик и 6-нэ армэм и закъуэ ираутIыпщмэ, ба-дзэуэгъуэм и 25-р къэмысу вермахтым и дзэхэр Индыл зэпрыкIынут. АрщхьэкIэ Кавказым къащыпэщIэува совет армэм и ерыщагъымрэ Воронеж деж къызэрыщызэтрагъэувыIамрэ зэхыхьэжри, фашистхэм Сталинград къэубыдыным и Iуэхур псом нэхъыщхьэу къалъытэжащ. Гитлер и дзэпщхэм а къалэмкIэ къаруущIэхэр ягъакIуэу щIадзащ. Апхуэдэу Сталинград бадзэуэгъуэ мазэм ебгъэрыкIуа дивизэхэр 30-м нэблагъэу щытамэ, абыхэм я бжыгъэр шыщхьэIум — 69-м, фокIадэм — 81-м нызэрыхусащ. Дауи, упщIэ къоув: «Апхуэдиз «гулъытэ» а къалэм бийм сыт щIыхуищIар?» жыпIэу. Абы и жэуапри зэхэгъэкIыгъуафIэу ди гугъэщ: япэрауэ, Индыл и зэпрыкIыпIэхэр нэмыцэхэм зыIэрагъэхьамэ, Совет къэралым тафэмкIэ и псы зекIуапIэ нэхъ лъэщ дыдэр абыхэм «зэпаупщIырт». ЕтIуанэрауэ, фашистхэм КавказымкIэ яунэтIмэ, Сталинград зыщызыгъэбыда советыдзэхэр я щIыбагъ къыданэрт. Ещанэрауэ, а къалэр къызэращтэу, Тыркумрэ Япониемрэ ди къэралым къытеуэну нэмыцэхэр къагъэгугъат. Псалъэм папщIэ, Тыркум езым и гъунапкъэм дивизэ 28-рэ къыIуишауэ хьэзыру щиIыгът. Къэрал куэдым къыщыдэкI газетхэм «Сталинград» псалъэр текIыртэкъым, дуней псом и цIыхухэм ящыщу радиом едаIуэхэми я тхьэкIумэ икIыртэкъым. Уеблэмэ Гитлер и гъуэр здэщыIэ Берлин щылажьэ радиом 1942 гъэм фокIадэм и 15-м мыпхуэдэу къиIукIауэ щытащ: «Африкэ Ищхъэрэм щекIуэкIхэм мыхьэнэшхуэ яIэ щхьэкIэ, Дунейпсо зауэм и дежкIэ Сталинград деж къыщыхъухэр нэхъыщхьэжщ». Зэхэуэм ипэ къихуэу ди тIасхъэщIэххэм яхузэфIэкIащ фашист унафэщIхэм я «щэху» къатIэщIыну. Нэмыцэхэм ипщэ лъэныкъуэмкIэ ебгъэрыкIуэну зэрамурадыр япэ дыдэу Совет къэралым и Генеральнэ штабым 1942 гъэм и мазаем Iэрыхьащ. Гъатхэпэм и 23-м Ставкэм къыхуагъэхьа тхыгъэм зэкIэлъыгъэкIуауэ итт фашистхэм ипщэ лъэныкъуэм хуэгъэзауэ удынышхуитI ди къэралым къра-дзыну зэрамурадыр. АрщхьэкIэ, советыдзэм и унафэщIхэм къызэралъытэмкIэ, нэмыцэхэр иджыри МэзкукIэт здеIэнур. Апхуэдэут зэрегупсысри СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым и УнафэщI Сталин Иосиф. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм къыхэкIкIэ, Дзэ Плъыжьым и фIыпIэр Мэзкуу и Iэгъуэблагъэхэм щаIыгът. Сталиным къызэрилъытэмкIэ, зыхъумэжыныгъэм пыщIа Iуэхугъуэхэми къадэкIуэу, бийм щIыпIэ-щIыпIэхэми щытеуэн хуейт. Арати, Кърымымрэ Харьков дежрэ щыIэ советыдзэхэр бийм ебгъэрыкIуэным и унафэр дзэзешэ пашэхэм я зэхуэсым къыщащтащ. Ауэ абы фIы лъэпкъ кърикIуакъым. Харьков къэтщтэнщи, гъэр къудейуэ абдежым Дзэ Плъыжьым цIыху мин 240-рэ щыфIэкIуэдащ. Совет Армэр къызэрыхагъэщIам фронтым и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIа щытыкIэр хуабжьу къыщызэIигъэхьащ. Мэкъуауэгъуэм и 28-м Германием и дзэхэм лъэщу къэкIуатэу щIадзащ. А лъэхъэнэм Сталинград зыхъумэ советыдзэм хэт зауэлIхэр къатегуплIэхэм яйм нэхърэ 1,7-кIэ, топ лIэужьыгъуэрэ танкыу дыдейхэм яIар — 1,3-кIэ, кхъухьлъатэкIэ — 2-кIэ нэхъ мащIэт. КъарукIэ къызэрыдэбэкIым къыхэкIкIэ, фашистхэм яхузэфIэкIащ бадзэуэгъуэм и 11-12-хэм я зэхуаку дэлъ жэщым Сталинград областым изэрыгуэну. Бадзэуэ- гъуэм и 17-м советыдзэм и 62-нэ, 64-нэ армэхэм я гупжьейхэр генерал-полковник Паулюс Фридрих зи пашэ 6-нэ нэмыцэ армэм IущIащ. Апхуэдэу щIидзащ жэщ-махуэ 200-м и кIуэцIкIэ екIуэкIа Сталинград зэхэуэр. Сталинград гузэвэгъуэ ин къыщылъэIэса зэманым ипэхэм хуэзэу, бадзэуэгъуэм и 28-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ къэрал комитетым и УнафэщI, цIыхубэ комиссар Сталин Иосиф зи № 227-нэ унафэ къыдигъэкIащ. Ар теухуат псэзэпылъхьэпIэ шынагъуэ СССР-м къызэрытепсыхам. А унафэм итт къэралым къыщхьэщыжыну зи къалэн дэтхэнэ зыри, дапхуэдэу Iуэхур къемыкIуэкIами, ищхьэкIэ щыIэ унафэщIхэм хуит къамыщIауэ, икIуэт мыхъуну. Сэлэтхэм къищынэмыщIа, апхуэдэ унафэм щхьэпрыбэкъукI дзэзешэхэмрэ полит лэжьакIуэхэмрэ щысхь лъэпкъ хуамыIэу, яIыгъ къулыкъумрэ къыхуагъэфэща дамыгъэхэмрэ пагъэкIынурэ, зауэ трибуналым ирашэлIэнут зи гугъу тщIы унафэм ипкъ иткIэ. КъищынэмыщIауэ, зауэм здыIутым лIыгъэншагъэ къэзыгъэлъэгъуа частхэм я щIыб ахэр икIуэтыжыну хуит зымыщI дзэхэр къыдагъэувэрт Сталиным и унафэкIэ. Хэку зауэшхуэр зэрыщыту къащти, апхуэдэ унафэ гущIэгъуншэ зэи ящIакъым. Ауэ ар щытыкIэ гугъум къигъэщIа Iуэху бгъэдыхьэкIэт. Сталинград IэщIэкIамэ, ди къэралым къыпэплъэр зэхэгъэкIыгъуейт. Бийм иджыри къаруушхуэ бгъэдэлъщ Советыдзэхэм лIыхъужьыгъэ къызэрымыкIуэ къызэрагъэлъагъуэм къыхэкIкIэ, нэмыцэдзэхэм яхузэфIэкIакъым Сталинград псынщIэу зыIэщIаубыдэну. Абыхэм хэщIыныгъэу ягъуэтыр апхуэдизкIэ куэдыщэти, зенитнэ часть гуэрым хэт зи цIэр къахуэмыщIа унтер-офицерым мыпхуэдэу итхыгъауэ щытащ: «Си щхьэфэцым зресэ гъуэгу напкъэм Iут машинэхэм ди сэлэтхэм я хьэдэхэр ярызу щыслъагъукIэ!» АрщхьэкIэ бийм къаруушхуэIуэ иджыри бгъэдэлът. Кавказым хуеIэ 4-нэ танк армэм СталинградкIэ ирырагъэгъэзэжат. Абыхэм яужь иту Индыл псы Iуфэм Iут къалэшхуэм къыхуеIэрт 3-нэ, 4-нэ румын, 8-нэ итальян армэхэри. Сталинград фронтым километр 800-кIэ зрагъэукъуэдият. Гитлер и цIыхухэм яхуищIа унафэм ипкъ иткIэ, къалэр шыщхьэIум и 25-м ирихьэлIэу къащтэн хуейт. Нэмыцэхэм Сталинград удынышхуитI ирадзыну загъэхьэзырырт: зыр ипщэ лъэныкъуэмкIэ, адрейр ищхъэрэкIэ къыщежьэу. Бийр къалэм къухьэпIэмкIэ зэрыпэжыжьэр километр 60-70-т, ипщэ лъэныкъуэмкIэ — километр 20 хуэдизт. Бадзэуэгъуэм и 25-м щегъэжьауэ нэмыцэ кхъухьлъатэхэм Индыл и псыIуфэр минэкIэ къагъэуэн щIадзащ. МыдэкIэ къалэм и бгъэдыхьэпIэхэм бийр щызэтезыгъэувыIэну зыщыгугъ щIытIхэр къалэдэсхэм ежауэ датIыкIырт. А лэжьыгъэм бадзэуэгъуэм и кIэ — шыщхьэIум и пэхэм ирихьэлIэу цIыху мин 50 ирашэлIат. Фронтыр къыщыблагъэм, щIыпIэ властым и органхэм сымаджэщхэр Сталинград дагъэIэпхъукIыу щIадзащ. Апхуэдэу бадзэуэгъуэмрэ шыщхьэIум и махуэ 20-мрэ къриубыдэу, балигъхэмрэ сабийхэмрэ зэгъусэу, къалэдэс мини 100-м нэблагъэ Индыл и адрыщIым зэпрашащ. Ауэ зэхэуэхэм и япэ лъэхъэнэм заводхэм, предприятэхэм, медицинэм и IуэхущIапIэхэм щылажьэхэр быдапIэм дагъэIэпхъукIын ядауэ щытакъым. Апхуэдэ унафэ езы Сталиным ищIат. Абы и фIэщ хъурт къалэр бийм зэрыIэрымыхьэнур. АрщхьэкIэ, иужькIэ нэмыцэ танкхэр уащхъуэдэмыщхъуэу трактор заводым и деж къыщыIухутэм, Сталинград дэс цIыхухэр уэру дагъэIэпхъукIын щIадзэжащ. Ауэ иджы а Iуэхум фIы къызэримыкIынур гурыIуэгъуэт. Щысхь жыхуаIэр зыхэзымыщIэ нэмыцэхэм къытрагъэщэща бомбэхэм къалэдэс куэд иукIащ. Къалэм и Iуэхум ухегъаплъэ Сталинград гугъуехьышхуэм, гузэвэгъуэшхуэм пэщIэуват. ШыщхьэIум и 23-м советыдзэхэм я «кIапсэ быдэр» фашистхэм пхратхъащ. Тэн и Iуфэм щызауэ 65-нэ армэр адрейхэм къалъэмыIэс хъуащ. Зэхуаку къэунэхуам Паулюс и танкыдзэм зыкъыди-дзащ. Абы и гуп пэрытхэр Сталинград ищхъэрэкIэ Индыл псы Iуфэм Iухьат. А махуэ дыдэм Гитлер и унафэкIэ фашистхэр жыжьэрыуэ топхэмкIэ къалэм къеуащ. Зы махуэ закъуэм и кIуэцIкIэ бийм и кхъухьлъатэхэр къалэм мини 2-м щIигъурэ теуащ. Зауэр къызэры-хъейрэ апхуэдэ удын жагъуэ нэмыцэхэм нэгъуэщI зы къали ирахатэкъым; зэ IуплъэгъуэкIэ Сталинград мафIэ лыгъейр къызыхэлыдыкI хы къэукъубеям ещхьт. Исыр унэхэм я закъуэтэкъым, атIэ щIыгури Индылыпс и щхьэфэри мафIэм илыпщIырт: фашистхэм щIыдагъэ зэрыт хъумапIэхэмрэ ахэр къызэрырашэкI кхъуафэхэмрэ къагъэуати, мафIэр зыщIэна щIы дагъэр уэрамхэми ирижэрт, Индыли хэлъадэрт… Совет Союзым и маршал Василевский Александр игу къегъэкIыж: «Сэ абы щыгъуэ къалэм сыдэтти, слъэгъуащ ар къызэрызэтеуэр. Жэщхэм жылагъуэшхуэр мафIэс абрагъуэм ещхьт. Ар зылъагъу нэмыцэхэм епIэщIэкIыу Гитлер хъыбар ирагъэщIащ: «Фюрерым и пащхьэ быдапIэр щидгъэтIылъыкIащ», — жаIэри. Къалэм къыдэна цIыхухэмрэ зауэлIхэмрэ щтэIэщтаблэ ящIу щIагъэпхъуэжыным хуэунэтIауэ зэрыпхъуакIуэхэм лъэкI къагъанэртэкъым. АрщхьэкIэ абыхэм я мурадыр къайхъулIакъым. Фашистхэм сыт хуэдэ Iэмал къамыгъэсэбэпами, быдапIэдэсхэмрэ сэлэтхэмрэ зэрехьэжьэу къалэр ябгынакъым. Лыгъейр къызэрагъэIэсэным мафIэс- гъэункIыфIхэр псэемыблэжу яужь итт. Щапхъэу къэпхь хъунущ Катаеврэ Шурухинрэ зэрахьа лIыгъэр: я щхьэр халъхьэнкIэ зэрыхъунум къимыгъэдзыхэу, абыхэм яхузэфIэкIащ мафIэр зыщIэна, щIыдагъэ зэрыт чей абрагъуэм пхиуда гъуанэр пхъэмыфкIэ ягъэбыдэн. Къалэм и ищхъэрэ къыдыхьэпIэмкIэ зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIырт. Танк 200-м щIигъу зыщIыгъу лъэсыдзэм япэу пежьар 1077-нэ, 1078-нэ зенитнэ-топгъауэ полкхэращ. Абыхэм цIыхубзхэри яхэтт. Дапхуэдиз хэщIыныгъэ ямыгъуэтами, гупитIри яхуикIуэтакъым, езы бийри къалэм къыдагъэхьакъым. Абдежым а махуэм гитлерыдзэм щыфIэкIуэдащ кхъухьлъатэу — 5, танкыу — 43-рэ, сэлэт щэ бжыгъэхэр. Топгъауэхэм зыкъыщIагъэкъуащ Сталинград дэт заводхэм я лэжьакIуэхэмрэ зауэ еджапIэм и курсантхэмрэ. Апхуэдэу абыхэм дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуащ Индылыпсым тет дзэ флотилием и бронекатерхэм и хыдзэлIхэри. Зэхэуэхэр махуитIкIэ екIуэкIащ. Нэмыцэ ефрейтор Гелльман Отто и къэшэным хуитхырт: «Мыбы къыщыхъум утетхыхьыныр цIыхум хузэфIэмыкIынщ. Сталинград псори щозауэ, щхьэ зыфIэтрэ Iэ зыпытрэ, хъулъхугъи бзылъхугъи». ШыщхьэIум и 25-м зыхъумэжыныгъэмкIэ къалэ комитетым Сталинград дэсхэмрэ зауэлIхэмрэ захуигъэзащ быдапIэр бийм ирамытыну къыхури-джэу. Iугъуэмрэ мафIэмрэ зэщIищта уэрамхэм зы махуэ къэмынэу цIыху мини 6-м щIигъу къыдыхьэрти, бийр зэтезыIыгъэ мывэ чохэр (баррикадэхэр) яухуэрт. Абыхэм танкхэр щызекIуэкIэ зэран яхуэхъу гъущI пкъохэр хагъэбыдыхьыжырт. КIуатэху къэси къалэм нэхъри быдапIэ теплъэ иIэ хъурт. Сталинград къыдэна цIыхухэр дэгъэIэпхъукIыным гугъуехь куэдыIуэ пыщIат. Щэ бжыгъэ хъу коммунистхэмрэ комсомолым хэтхэмрэ къалэм зы унэ къыдамынэу щIаплъыкIырт. Абыхэм зыщызыгъэпщкIуа цIыхухэр зэхуашэсурэ, быдапIэр ябгынэну елъэIурт. Псом хуэмыдэу властыр зытешыныхьыр адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабийхэрат. Языныкъуэхэр автобусхэм ирагъэтIысхьэрти, къалэм дашырт, адрейхэр Индыл Iуфэ нагъэсырти, нэгъуэщI областхэм щыIэ сабий унэхэм кхъуафэжьейхэмкIэ зэбграшырт. Псори зэхэту 1942 гъэм шыщхьэIум и 23-м щегъэжьауэ жэпуэгъуэм и 14-м нэсыху къалэм дагъэIэпхъукIащ цIыху мин 400-м нэблагъэ. Куэдым зыкъызэщIакъуэри, я закъуэ къарукIэ быдапIэм дэкIащ, ауэ ар зыхузэфIэмыкIыу къыдэнахэр нэхъыбэжт. Нэмыцэ кхъухьлъатэхэм къапэщIэхуэ дэтхэнэми гущIэгъу лъэпкъ хэмылъу бомбэкIэ хэуэрт. Аращ къыщыщIар уIэгъэ хъуа зауэлI 700 зэрыс, «Композитор Бородин» санитарнэ кхъуафэжьейм. Абы фашистхэм пулеметышэкIэ ираукIыхьам нэмыщI, псэууэ къикIа тIэкIуми бомбэхэр тракIутащ. «Сталин Иосиф» кхъухьым иса къалэдэс 1400-м щыщу кърагъэлар зэрыхъур цIыху 82-щ. ФокIадэм и 10-12-хэм нэмыцэхэр Сталинград и уэрамхэм къыдыхьащ. «А Iуэхугъуэм быдапIэм щыIэ щытыкIэм зригъэхъуэжакъым, цIыхухэри иригужьеякъым, — жеIэ маршал Василевский Михаил. — Къалэдэсхэм ящыщ куэд, дэIэпхъукIын ямыдэу, быдапIэхъумэхэм яхыхьэрт, заводхэм щылэжьэну Iуувэрт. Сталинград фронтым и унафэщIхэм къалэм и кумрэ и ищхъэрэ лъэныкъуэмрэ хъумэн Iуэхур 62-нэ армэм и пщэ далъхьащ. Абдежырт здэщыIэр «Октябрь плъыжь», «Баррикадэхэр», трактор заводхэр. Гитлер, Винницэ и деж къыщызэригъэпэща и ставкэм, фокIадэм и 12-м Паулюс Фридрих ириджэри, махуэ гъунэгъухэм фIимыгъэкIыу Сталинград къищтэн хуейуэ унафэ къыхуищIащ. ФокIадэм и 13-м нэмыцэхэр къалэм тезэрыгуащ. 62-нэ армэм хэт цIыху мин 50-м Паулюс ириутIыпщащ сэлэт мини 170-рэ, танкыу 500, кхъухьлъатэу миным нэблагъэ. Сталинград и дежкIэ фокIадэм и 14-р, шыщхьэIум и 23-м и ужькIэ, шынагъуэ дыдэт. Нэмыцэхэм быдапIэм щыщ къыхэмынэжауэ къалъытэрт. Дэтхэнэри хуейт къалэкум псынщIэу нэсыну. Фашистхэр зэрегъэфарэ щIыкIэншэу кIийуэ, Iупэ пшынэхэм кърагъэкI макъамэхэм дежьууэ, машинэхэм къелъэрэ къафэу къэкIуатэрт. Ауэ абыхэм я IутIыжым щIэхыу кIэ игъуэтащ, унэ къуагъхэмрэ щIытIхэмрэ къыкъуэукI зауэлIхэм шэр къытрагъэлъалъэу зэрыщIадзэу. Зыпэмыплъа «уэшхым» нэмыцэхэр щэ бжыгъэкIэ ирищIыкIырт, ауэ абыхэм увыIэгъуэ имыIэу къахэхъуэрт. Бийм псы зэпрыкIыпIэр иубыдыпэным иIэж щIагъуэ щыIэтэкъым. Къалэ комитетым и къыхуеджэныгъэкIэ 62-нэ, 64-нэ армэхэм къалэдэсу мин 75-рэ къахыхьащ. Бийм и дежкIэ ар фIэщ щIыгъуейт. 6-нэ армэм и япэ адъютант Адам В. мыпхуэдэу итхащ: «ЛэжьакIуэ щыгъын зыщыгъ цIыхухэм я хьэдэ диижахэр адэкIэ-мыдэкIэ щылъу плъагъунущ. Абыхэм къаIэщIэна фочхэмрэ кIэрахъуэхэмрэ иджыри быдэу яIыгът. Танк къутар зэзыгъэпэщыжыну зезыгъэзыха лэжьакIуэхэм ажалыр къащылъэIэсым, зэрыщыта дыдэм хуэдэу зэфIэту я Iэпкълъэпкъ узджынтыжахэр щытт. Апхуэдэ теплъэгъуэ гущIыхьэ абы ипэкIэ зыщIыпIи щытлъагъуакъым». Псы зэпрыкIыпIэм и деж бийм япэуващ цIыху 80 хъу чекистхэмрэ милиционерхэмрэ. Абыхэм къажьэхыхьа гитлерыдзэр IуагъэкIуэтыжащ. Абы и фIыщIэкIэ, Индыл адрыщI къикIыу къалэм къыдыхьэну къыхуеIэ 13-нэ гвардейскэ дивизэм ар хузэфIэкIащ. КIуэрыкIуэм тету ар бийм теуащ. Ди зауэлIхэм нэмыцэхэр къалэкум къыщрахужьэри, Мамай Iуащхьэми щхьэщахужащ. Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ Гитлер быдапIэр щызэтекъутэн хуейм и иужьрей пIалъэу щэкIуэгъуэм и 14-р къигъэлъэгъуащ. А мазэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ Сталинград щекIуэкI зэхэуэхэр нэхъ гуащIэж хъуащ. ЩэкIуэгъуэм и 4-нэ, 5-нэ махуэхэм къалэм дэт заводхэр къиубыдын папщIэ, бийм къаруущIэхэр зэщIигъэуIуащ. «Iэбжьыгу хуэдиз» фIэкIа мыхъу щIыналъэ мащIэм зэуэ дивизи-7, абыхэм танкыдзи 2-3 яхэту, Сталинград и уэрамхэм дэзэрыгуащ. ЩэкIуэгъуэм и 14-м нэхущым щэ бжыгъэ хъу топхэмрэ минометхэмкIэ фашистхэр къызэдиукIыу щIадзащ. КъищынэмыщIауэ, совет зауэлIхэм зыщагъэбыда щIыпIэхэм нэмыцэ кхъухьлъатэхэр увыIэгъуэ ямыIэу бомбэкIэ еуэрт. Сыхьэтийм нэблагъэкIэ апхуэдэу екIуэкIри, Паулюс и дзэхэм ебгъэрыкIуэн щIадзащ. А махуэм нэмыцэ кхъухьлъатэхэм лъэтэгъуэ мини 3-м нэблагъэ уэгум щрагъэкIуэкIащ. КъыпщыхъункIэ хъунут абы зы цIыхуи къемылауэ. Ауэ нэмыцэхэр къызэрежьэу, абыхэм зилъ хуэплъа совет зауэлIхэр къуэгъэнапIэ Iэджэми къыкъуэукIырти, бийм шэр трагъэлъалъэрт. Сталинград зауэм и зыхъумэжыныгъэ Iыхьэм къриубыдэу фашистхэм яфIэкIуэдащ сэлэтрэ офицеру мин 700, танкрэ зэребгъэрыкIуэ топу миным щIигъу, минометрэ зенитнэ топу мини 2, кхъухьлъатэу 1400-м щIигъу. Къыхэгъэщыпхъэщ, зэхэуэхэр щекIуэкIым Сталинград дэт заводхэм я лэжьыгъэр зы махуи къызэрызэтемыувыIар. Псалъэм папщIэ, къалэку дыдэм зэхэуэхэр щыщекIуэкI фокIадэ мазэм къриубыдэу, трактор заводым щагъэхьэзырри фронтым иратащ танк 200-рэ мотор 40-рэ. Сталинград деж къыщыхагъэщIа и ужькIэ, нэмыцэдзэхэм къащхьэщыж хуэдэу, Геббельс и пыхъуэпышэхэм хъыбар зэбграгъэхащ быдапIэр къащIыхуэмыщтэм и щхьэусыгъуэр а къалэр ихъуреягъкIэ сыт и лъэныкъуэкIи зэщIэгъэбыдыхьауэ зэрыщытар арауэ. Абы и жэуапу тхакIуэ Полевой Борис «Правда» газетым мыпхуэдэу щитхыгъауэ щытащ: «Къалэшхуэр губгъуэ нэщIым дэнэ лъэныкъуэкIи зэIухауэ итщ. Сталинград нэмыцэхэм къащIыхуэмыщтам и щхьэусыгъуэм ущылъыхъуэн хуейр а къалэр «шыпсэу» щыт блын быдэкIейкIэ къызэрыухъуреихьар аракъым, атIэ абы и хъумакIуэхэм якъуэлъа лIыгъэмрэ къагъэлъэгъуа хахуагъэ дахащэмрэщ». Сталинград деж щыIэ хъуа щытыкIэр къалъытэри, Дзэ Плъыжьым и командующэ нэхъыщхьэм и Ставкэм и лIыкIуэ, артиллерием и генерал-полковник Вороновымрэ Дон фронтым и командующэ Рокоссовскэмрэ, Сталиным и арэзыныгъэ хэлъу, 1943 гъэм щIышылэм и 8-м Паулюс деж ультиматум ирагъэхьащ. Абы жиIэрт: «ХэкIыпIэншэ фызэрихуам къыхэкIыу, пщIэншэу лъы гъэжэныр къызэтегъэувыIэн мурадкIэ, фхудогъэув мыпхуэдэ щIыкIэм иту зыкъэфтыну…» АрщхьэкIэ «Iуэм» изэрыхьа нэмыцэдзэхэм я унафэщIхэм зыкъатын ядакъым. Апхуэдэу щыхъум, Ставкэм Рокоссовскэм унафэ къыхуищIащ Паулюс и армэр зэтракъутэну. ЩIышылэм и 27-м Рокоссовскэм и армэм и дзэхэм Паулюс и армэм и ищхъэрэ Iыхьэр зэтракъутащ. Рокоссовскэм и гум къигъэкIыжырт: «зэи нэмыцэхэм ямылъэгъуа апхуэдиз къарум щIыр дэзджызджырт. Сэ слъагъуртэкъым адрей лъэныкъуэмкIэ къыщыхъухэр. Дакъикъэ 15 къудейкIэщ зэрекIуэкIар а «дунейкъутэжыр», ауэ ар апхуэдизу нэмыцэхэм зыхащIати, топхэм я уэныр зэрагъэувыIэу, нэмыцэ сэлэтхэм я Iэхэр Iэтауэ къежьащ». Мазаем и 2-м ирихьэлIэу къаухъуреихьа нэмыцэдзэхэр къанэ щымыIэу зэтракъутащ. Нэмыцэ офицеррэ сэлэту мин 91-м гъэру зыкъатащ. Биидзэм щыщу зэуапIэм ди цIыхухэм къыщызэщIакъуащ икIи щыщIалъхьащ сэлэт, офицер хьэдэу мини 147-м щIигъу. Индыл деж щекIуэкIа зауэшхуэр иухащ алъандэрэ зэи щымыIа ди текIуэныгъэшхуэкIэ. Ди зауэлIхэр текIуащ дунейм щынэхъ лъэщ дыдэу къалъытэ гитлерыдзэм. Махуэ 200-кIэ екIуэкIа а зауэм хэтащ цIыху мелуани 2-м щIигъу. Сталинград зэхэуэм нэмыцэ, итальян, румын дзэхэм укIыгъэу щафIэкIуэдащ цIыху мелуан 1,5-рэ. Сталинград щекIуэкIа зэхэуэм и ужькIэ Хэку зауэшхуэм и мызакъуэу, ЕтIуанэ Дунейпсо зауэр зэрекIуэкI щIыкIэми зихъуэжащ. Нэмыцэдзэхэм къатекIуэн щымыIэу щхьэщагъэIукIа хъыбарыр зэрыпцIыр наIуэ къэхъуат. ИкIи абыхэм икIуэту щIадзащ. Советыдзэхэр Сталинград деж зэрыщытекIуам и хъыбарыр дунейм псынщIэ дыдэу щызэлъащIысащ. ЦIыху мелуанхэр игъэгуфIащ, Гитлер и Германиер абы нэщхъеягъэшхуэм хидзащ. Мазаем и 5-м Сталиным къыIэрыхьащ США-м и президент Рузвельт Франклин и хъуэхъу телеграммэ. Ин-джылызым и премьер-министр Черчилль Уинстон Сталиным къыхуигъэхьа телеграммэм щытхащ: «Езы Сталинград хъуащ урысей лъэпкъым и лIыгъэмрэ и гуащIэмрэ, цIыхум и фэм дигъэхуэфынум я щапхъэ». Къумахуэ Аслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24871.txt" }
2013 гъэм и адыгэ махуэгъэпс-щIэнгъуазэ Мазаем и 1 1931 гъэм Москва къыщызэIуахащ Союзкино («Мосфильм») фабрикэр. 1829 гъэм Нэгумэ Шорэ Налшык къыщызэIуихащ сабий нэхъ акъылыфIэхэм я школ. 1929 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал хорыр къызэрагъэпэщащ. Мазаем и 2 1943 гъэм советыдзэхэм Сталинград и деж текIуэныгъэ къыщахьащ. 1898 гъэм къалъхуащ Франджым и ЛIыхъужь Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан. Мазаем и 3 1924 гъэм «Къэбэрдей плъыжь» газетым и цIэр «Къэрэхьэлъкъ»-кIэ зэрахъуэкIащ. 1925 гъэм СССР-м радиом псэлъэн щыщIидзащ. Мазаем и 4 1935 гъэм Москва и метром и япэ мафIэгур ирикIуащ. 1945 гъэм Кърымым къыщызэIуахащ СССР-м, США-м, Инджылызым я лIыщхьэхэр зыхэт Ялтэ конференцыр. Мазаем и 5 1940 гъэм Шотландием щыщ Данлон Джон япэ дыдэу хьэфэ шэрхъ къигупсысащ. 1928 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тэрчыкъуэ Исуф. Мазаем и 6 1918 гъэм Урысейр григориан махуэгъэпсым зэрыхуэкIуэмкIэ декрет къыдэкIащ. 1935 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблым Советхэм я VII съездым и делегатхэм папщIэ Москва и Театр Иным концерт щитащ. 1923 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Тэмазэ Маржэнэт. Мазаем и 7 1855 гъэм Курилхэмрэ Сахалинрэ зэдэгуэшыным теухуауэ урыс-япон зэгурыIуэныгъэм Iэ традзащ. 1968 гъэм къалъхуащ усакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик Бэлагъы Любэ. Мазаем и 8 1724 гъэм Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академиер къызэрагъэпэщащ. Урысей щIэныгъэм и махуэщ Мазаем и 9 1895 гъэм американ Морган Уильям волейбол джэгукIэр къигупсысащ. 1897 гъэм Урысейм и цIыхухэр япэу къыхатхыкIащ. Абы щыгъуэ къэралым цIыху мелуани 126-рэ мин 400-рэ щыпсэ- уащ. 1953 гъэм къалъхуащ Европэм и чемпион, XXII Олимп Джэгухэм дзюдомкIэ жэз медаль къыщызыхьа Емыжь Арамбий. Мазаем и 10 Пушкин Александр и фэеплъ махуэщ Дипломат лэжьакIуэм и махуэщ Аэрофлотым и махуэщ 1837 гъэм урыс усакIуэшхуэ Пушкин А. С. дунейм ехыжащ. 1883 гъэм къалъхуащ Кавказ Ищхъэрэ республикэхэм я ЦИК-м и унафэщIу щыта (1918) Куэцэ Пщымахуэ. Мазаем и 11 Сымаджэм и дунейпсо махуэщ Мазаем и 12 1929 гъэм Налшык щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ курорт хъуащ. 1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Мэремыкъуэ Хъусен. 1957 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыяпэ дыдэу Налшык телевиденэм лэжьэн щIидзащ. 1961 гъэм дунейм щыяпэу СССР-м «Венера-1» станцыр иутIыпщащ. 1979 гъэм Женевэ (Швейцарие) климатымкIэ япэ дунейпсо конференцым лэжьэн щыщIидзащ. Мазаем и 13 1924 гъэм Ставрополь крайр къызэрагъэпэ- щащ. 1908 гъэм къалъхуащ Къэбэрдейм и къэрал, политикэ лэжьакIуэ Лъостэн Чэлимэт. Мазаем и 14 Компьютерщикым и махуэщ ФIыуэ зэрылъагъухэм я дунейпсо махуэщ — Валентин щихъым и махуэщ Мазаем и 15 1960 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. Мазаем и 16 1571 гъэм Грозный Иван Iэ тридзащ Урысейм и япэ дзэ уставым. 1989 гъэм советыдзэхэр Афганистаным кърашыжащ. Мазаем и 17 1600 гъэм Рим къалэм щагъэсащ Брунэ Джорданэ. 1863 гъэм Дунейпсо Жор Плъыжьыр къызэрагъэпэщащ. 1880 гъэм урыс пащтыхь Александр ЕтIуанэр яукIыну хэтащ. 1923 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМА-м и профессор, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Къумахуэ Башир. 1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Хьэгъундокъуэ Сэлисэт. Мазаем и 18 Транспорт полицэм и махуэщ Мазаем и 19 1837 гъэм Лермонтов Михаил «УсакIуэм и лIэныгъэ» усэр, Пушкин зэраукIам теухуар, тхын иухащ. 1954 гъэм Кърымыр Урысейм хагъэкIри, Украинэм иратащ. 1986 гъэм СССР-м «Мир» станцыр хьэршым ириутIыпщхьащ. Мазаем и 20 1940 гъэм Налшык IэфIыкIэ фабрикэ къыщызэIуахащ. Мазаем и 21 Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ 1819 гъэм Санкт-Петербург къэрал университетыр къызэIуахащ. Мазаем и 23 Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэщ 1942 гъэм Къардэн Къубатий Ленин орденыр япэу къратащ. 1923 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м и къэрал, политикэ лэжьакIуэ ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд. 1923 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м и цIыхубэ артист, КъБР-м и къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м и Гимным и макъамэр зытха Къардэн Хьэсэн. 1923 гъэм къалъхуащ УФ-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ Пащты СулътIан. Мазаем и 24 1958 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, ПАНИ-м и академик Ерчэн Тембулэт. 1973 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ ди лъэпкъэгъу спортсмен, Европэм тIэунейрэ и чемпион, тхэквондомкIэ дуней псом и чемпион Дагдалан (Мыщэ) Мустафа. Мазаем и 25 1946 гъэм Дзэ Плъыжьыр Советыдзэу зэрахъуэкIащ. Мазаем и 26 1990 гъэм Чехословакием советыдзэхэр кърашыжащ. 1953 гъэм къалъхуащ IуэрыIуатэдж, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI ГъукIэ Замудин. Мазаем и 27 1945 гъэм Мэсей Аслъэнджэрий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. 1958 гъэм къалъхуащ, жылагъуэ лэжьакIуэ, Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и вице-президент КIэкIыхъу Мэжид. Мазаем и 28 1555 гъэм Нострадамус и тхылъыр къыдэкIащ. Гъатхэпэм и 1 Граждан зыхъумэжыныгъэм и дунейпсо махуэщ Гъатхэпэм и 2 1563 гъэм Грозный Иванрэ Гуащэнэрэ (Мариерэ) я къуэ Василий къалъхуащ. 1911 гъэм Пятницкэм и хорыр япэу утыку къихьащ. Гъатхэпэм и 3 1938 гъэм къалъхуащ кинорежиссёр, тхакIуэ, композитор, ЩIДАА-м и академик Къандур Мухьэдин. Гъатхэпэм и 4 1846 гъэм «Кавказ» газетым тридзащ Къаз-Джэрий и «Зи щIыхьыр ин къэрал тетым и деж» тхыгъэр. 1918 гъэм Тэрч ЦIыхубэ Республикэр къэунэхуащ. 1948 гъэм къалъхуащ радиожурналист Хьэмту Къадир. Гъатхэпэм и 5 1953 гъэм Сталин (Джугашвили) Иосиф дунейм ехыжащ. 1970 гъэм ядернэ Iэщэм земыгъэубгъунымкIэ ЗэгурыIуэныгъэм къару игъуэтащ. 1848 гъэм къалъхуащ адыгэхэм куэдрэ ятетхыхьа тхыдэтх, жылагъуэ лэжьакIуэ Фелицин Евгений. 1953 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, ЩIДАА-м и академик Бэвыж Мухьэмэд. Гъатхэпэм и 6 1925 гъэм «Пионерская правда» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ. Гъатхэпэм и 7 1944 гъэм ГКО-м и УнафэщI Сталин Иосиф Молотовым и цIэкIэ щыIэ колхозым и парт организацэм и секретарь Къашыргъэ ХьэпащIэ фIыщIэ къыхуищIат, Дзэ Плъыжьым зэрызыщIагъэкъуам папщIэ. 1960 гъэм Куба щыщ жэмыш Пащты Салимэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. Гъатхэпэм и 8-м ЦIЫХУБЗХЭМ Я ДУНЕЙПСО МАХУЭЩ 1923 гъэм «Адыгэ макъ» (Адыгей) газетым и япэ номерыр къыдэкIащ. 1918 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Сибэч Быхуэ. Гъатхэпэм и 9 1918 гъэм нэгъуэщI къэралыдзэхэр Совет Урысейм къытеуащ. Гъатхэпэм и 10 Урысейм и Архивхэм я махуэщ 1945 гъэм ЦIыхубзхэм я Дунейпсо Демократие Федерацэр (МДФЖ) къэунэхуащ. Гъатхэпэм и 11 Наркоконтролым и лэжьакIуэм и махуэщ 1991 гъэм «Ленин гъуэгу» газетым и цIэр «Адыгэ псалъэ»-у, «Коммунизмге жол»-р — «Заман»-у зэрахъуэкIащ. 1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Уэщхъун МуIэед. Гъатхэпэм и 12 1917 гъэм Урысейм пащтыхьыр щытрадзащ. Рабочэ, сэлэт депутатхэм я Петроград Советыр къызэрагъэпэщащ. Гъатхэпэм и 13 1733 гъэм Франджы литературэм и классик Аиссе (ХьэIишэт) дунейм ехыжащ. 1917 гъэм «Известия» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ. 1955 гъэм ШынагъуэншагъэмкIэ Къэрал Комитет (КГБ) къызэрагъэпэщащ. 1953 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, социологием и доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, АКъУ-м и ректор Хъунэгу Рашид. Гъатхэпэм и 14 Адыгэбзэм и махуэщ 1853 гъэм адыгэбзэкIэ къыдэкIащ Берсей Умар и «Адыгэ псалъалъэр». 1990 гъэм Горбачев Михаил СССР-м и Президенту хахащ. 1995 гъэм Налшык экономикэ-правовой лицей къыщызэIуахащ. Гъатхэпэм и 15 ЩэхуакIуэм и хуитыныгъэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ 1917 гъэм ПIалъэкIэ щыIэ Правительствэм и орган Тэрч къыщызэрагъэпэщащ. 1913 гъэм къалъхуащ адыгей драматург, актрисэ, критик Натхъуэ Долэтхъан. Гъатхэпэм и 16 1895 гъэм Москва трамвай гъуэгу ухуэн щыщIадзащ. 1936 гъэм Горький автозаводым япэ автомобиль псынщIэр — «М-1»-р къыщIигъэкIащ. Гъатхэпэм и 17 1805 гъэм Дельпоццо И. П. Къэбэрдейм и пристав нэхъыщхьэу къагъэкIуащ. 1938 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI Дыгъужь Мыхьмуд. Гъатхэпэм и 18 1913 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Налшык округым и лъэпкъхэм я I съездыр. Гъатхэпэм и 20 ЩIым и махуэщ 1944 гъэм Дохъушыкъуей спирт заводым, зэрагъэпэщыжа нэужь, лажьэу щIидзэжащ. Гъатхэпэм и 21 Гъэрэ щIырэ зэхэкIын щIедзэ. Усыгъэм и дунейпсо махуэщ Гъатхэпэм и 22 Псым и дунейпсо махуэщ Гъатхэпэм и 23 Метеорологием и дунейпсо махуэщ 1730 гъэм Черкасский Алексей «Андрей Первозванный щихъым и орденыр» иратащ. 1923 гъэм къалъхуащ Зеикъуэ къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху, IуэрыIуатэдж ХьэфIыцIэ Мусэбий. Гъатхэпэм и 24 Жьэн узым ебэныным и дунейпсо махуэщ 1948 гъэм къалъхуащ КъШР-м и къэрал, политикэ лэжьакIуэ Арашыкъуэ Мухьэмэд. 1948 гъэм къылъхуащ философие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, КъШР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шенкао Мухьэмэд. Гъатхэпэм и 25 Спорт кином и дунейпсо махуэщ Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ Гъатхэпэм и 26 1903 гъэм Златоуст дэт Iэщэ заводым и рабочэ зыкъэзыIэтахэр пащтыхьыдзэм зэтриукIат. Гъатхэпэм и 27 Театрым и дунейпсо махуэщ Урысейм и МВД-м и къэрал кIуэцIыдзэхэм я махуэщ 1917 гъэм Налшык гъэзэщIакIуэ комитет къыщызэрагъэпэщащ. 1953 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутату щыта Тыкъуэ Зое. Гъатхэпэм и 28 Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэщ 1957 гъэм Балъкъэр лъэпкъым и автономиер зэфIагъэувэжащ. 1776 гъэм Москва Театр Иныр къыщызэIуахащ. Гъатхэпэм и 29 1730 гъэм Москва и уэрамхэр ягъэнэхуу щIадзащ. 1891 гъэм Транссиб гъущI гъуэгур ухуэн щIадзащ. Гъатхэпэм и 30 ЩIыр хъумэным и махуэщ 1867 гъэм урыс пащтыхьым Аляскэр США-м ирищащ. 1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м и къэрал, политикэ лэжьакIуэ Бажэ Дотий. Гъатхэпэм и 31 1991 гъэм Варшавэ ЗэгурыIуэныгъэм и Организацэр зэбграутIыпщыкIыжащ. Мэлыжьыхьым и 1 Къуалэбзухэм я дунейпсо махуэщ Ауанымрэ дыхьэшхэнымрэ я махуэщ 1943 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ дохутыр, жылагъуэ лэжьакIуэ Тэмазэ Анатолэ. Мэлыжьыхьым и 2 Сабий тхылъым и дуней- псо махуэщ Лъэпкъхэм я зэкъуэувэныгъэм и махуэщ 1911 гъэм ЦIагъуэ Нурий Истамбыл адыгэбзэкIэ къыщыдигъэкIащ «Гъуазэ» газетым и япэ номерыр. 1948 гъэм КIэрашэ Тембот СССР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ. 1943 гъэм къалъхуащ бзэщIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэм я доктор Абдокъуэ Iэуес. Мэлыжьыхьым и 3 Циркым и махуэщ 1904 гъэм Кавказ бригадэм хыхьэ Къэбэрдей сотняр къызэрагъэпэщауэ щытащ. 1963 гъэм къалъхуащ усакIуэ, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуий Щыхьымбий. Мэлыжьыхьым и 4 1933 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм я оргбюро къызэрагъэпэщащ. 1945 гъэм Дзэ Плъыжьым Венгриер хуит къищIыжащ. 1963 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ Джэш Рэхьмэт. Мэлыжьыхьым и 5 1242 гъэм Невский Александр и дзэм Чудэ гуэлым и деж нэмыцэдзэр щызэтрикъутащ. 1905 гъэм Алъхъуей (Курп Ищхъэрэ) къуажэм и мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ. 1943 гъэм ВКП(б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и бюром унафэ къищтащ Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным теухуауэ. 1943 гъэм Налшык дэт дагъэ завод №1-р зэфIагъэувэжащ. Мэлыжьыхьым и 6 Следственнэ органхэм я лэжьакIуэхэм я ма- хуэщ 1896 гъэм Афинхэм япэ Олимп Джэгухэр къыщызэIуахауэ щытащ. 1930 гъэм Ленин, Вагъуэ Плъыжь орденхэр къащтащ. 1948 гъэм къалъхуащ психологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къэбардэ Мухьэмэд. 1958 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ХъуэкIуэн Мурат. 1963 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Гъыш Рэхьмэт. Мэлыжьыхьым и 7 Геологым и махуэщ Узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ 1948 гъэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо организацэр (ВОЗ) къызэрагъэпэщащ. 1948 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин. 1958 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Къуэжьокъуэ Мухьэмэд. Мэлыжьыхьым и 8 Дзэ комиссариатхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ 1918 гъэм Сихъу Сэфарбий и усэхэр зэрыт тхылъ къыдэкIащ. 1908 гъэм къалъхуащ парт, совет лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Чэмокъуэ Аслъэнджэрий. 1938 гъэм къалъхуащ УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тыкъуэ Къаплъэн. Мэлыжьыхьым и 9 1667 гъэм дунейм щыяпэу гъуазджэм и произведенэхэм я дунейпсо выставкэ Париж къыщызэIуахат. 1938 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Азэмэт Лалушэ. Мэлыжьыхьым и 10 1945 гъэм Иуан Хьэсэн Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. 1964 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ», «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ. 1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Лу Рэмэзан. Мэлыжьыхьым и 11 ГъэрыпIэм исхэр хуит къэщIыжыным и махуэщ 1863 гъэм адыгэ узэщIакIуэ, генерал-майор Къаз-Джэрий дунейм ехыжащ. Мэлыжьыхьым и 12 Космонавтикэм и махуэщ 1961 гъэм Гагарин Юрий «Восток» кхъухьым ису дунейм щыяпэу хьэршым лъэтащ. Мэлыжьыхьым и 13 1517 гъэм Каир щхьэпылъэ щащIащ мамлюкыдзэм и дзэпщ, султан Ал-Ашраф Тумэн-бей. 1895 гъэм Урыс къэрал музейр къызэIуахащ. Мэлыжьыхьым и 14 1912 гъэм «Титаник» кхъухь абрагъуэр Атлантикэ хым щыщIилъэфащ. 1945 гъэм Москва къыщызэIуахащ СССР-м и АН-м и Ботаникэ хадэ нэхъыщхьэр. 1956 гъэм видеомагнитофон дунейм япэу щащIащ. Мэлыжьыхьым и 15 1395 гъэм Тамерланрэ Тохъутэмыщрэ Тэрч и деж щызэзэуащ. Мэлыжьыхьым и 16 1905 гъэм Урысейм и япэ профсоюзыр — печатым и лэжьакIуэхэм ейр — къызэрагъэпэщащ. 1920 гъэм цIыхубэ милицэм и Налшык управленэр къызэрагъэпэщащ. 1934 гъэм «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр ягъэуващ. 1991 гъэм нэсыху ар цIыху 12.772-м фIащат. Мэлыжьыхьым и 18 Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ я дунейпсо махуэщ 1970 гъэм Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ «Мадинэ» япэ адыгэ оперэр ягъэуващ. Мэлыжьыхьым и 19 1563 гъэм япэ урыс типографие къызэIуахащ. 1783 гъэм Кърымыр Урысейм хыхьащ. Мэлыжьыхьым и 20 1656 гъэм Урысейм гъуаплъэ ахъшэ къыщежьащ. 1937 гъэм Прохладнэ станицэр къалэ хъуащ. 1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Ибрэхьим. Мэлыжьыхьым и 21 Ди эрэм и пэкIэ 759 гъэм Ромул пащтыхьым Ита- лием и щыхьэр Римм иухуащ. 1920 гъэм Налшык цIыхубэ хозяйствэм и окружной совет къыщызэрагъэпэщащ. 1921 гъэм Налшык лъахэхутэ музей къыщызэIуахащ. Мэлыжьыхьым и 23 Тхылъымрэ авторым и хуитыныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэщ Мэлыжьыхьым и 24 ЩIалэгъуалэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо ма- хуэщ 1958 гъэм къалъхуащ КъБР-ми Ингуш Республикэми щIыхь зиIэ я артисткэ, уэрэджыIакIуэ Даур Иринэ. Мэлыжьыхьым и 25 Адыгэ ныпым и махуэщ 1920 гъэм Налшык япэ медицинэ IуэхущIапIэ къыщызэIуахащ. 1913 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Лъостэн Исуф. 1953 гъэм къалъхуащ КъШР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Щэрмэт Людмилэ. Мэлыжьыхьым и 26 Радиацэм и зэранкIэ дунейм ехыжахэм я фэеплъ махуэщ 1986 гъэм Чернобыль атом электростанцыр къэуащ. 1991 гъэм «Лей зытехьа лъэпкъхэр гъэзэхуэжыным и IуэхукIэ» УФ-м и Закон къащтащ. 1958 гъэм къалъхуащ АР-м и политикэ лэжьакIуэ, театрыдж, журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэлахъуэ Светланэ. Мэлыжьыхьым и 27 1974 гъэм Байкал-Амур гъущI гъуэгур (БАМ-р) ухуэн щIадзащ. 1958 гъэм къалъхуащ шэрджэс политик, хьэрычэтыщIэ, псапащIэ Къэзанокъуэ Руслан. Мэлыжьыхьым и 28 Астрономием и дунейпсо махуэщ Лэжьыгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ Мэлыжьыхьым и 29 Къафэм и дунейпсо махуэщ 1770 гъэм Австралиер къахутащ. 1942 гъэм Къардэн Къубатий Ленин орден етIуанэу къратащ. 1964 гъэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэуващ «Лалуцэ» япэ балетыр. Мэлыжьыхьым и 30 МафIэсгъэункIыфIхэм я дунейпсо махуэщ 1789 гъэм США-м и япэ президентыр хахащ. Ар Вашингтон Джорджщ. 1945 гъэм Егоров Михаилрэ Кантарие Мелитонрэ сыхьэт 14-рэ дакъикъэ 35-м ТекIуэныгъэм и Бэракъ плъыжьыр Берлин и Рейхстагым фIадзащ. 1953 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ЩоджэнцIыкIу Нинэ. Накъыгъэм и 1 ГЪАТХЭМРЭ ЛЭЖЬЫГЪЭМРЭ Я МАХУЭШ- ХУЭ 1929 гъэм Малэ-Къэбэрдей псыщIэгъэлъадэр яутIыпщащ. 1941 гъэм Налшык сабий стадион къыщызэIуахащ. 1923 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, КъБР-м и Правительствэм и Iэтащхьэу 1969 — 1984 гъэхэм щыта Къущхьэ КIыщыкъуэ. 1938 гъэм къалъхуащ АР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Гъуэгунокъуэ Мухьэрбий. 1943 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Нэхущ Заурбий. Накъыгъэм и 2 1920 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ щэбэт щIыхьэху щекIуэкIащ. 1934 гъэм Налшык Пионерхэм я унэ къыщызэIуахащ. 1945 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Берлин къищтащ. Накъыгъэм и 3 Печатым и хуитыныгъэхэм я дунейпсо махуэщ Накъыгъэм и 4 1959 гъэм Налшык газ къашэу щIадзащ. 2010 гъэм УФ-м и Президентым и УказкIэ Налшык «Дзэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ. 1938 гъэм къалъхуащ абазэ тхакIуэ, КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ кIыкIуэту Микаэль. 1943 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI, Урысейм и Къэрал саугъэтым и лауреат Шемякин (Къардэн) Михаил. Накъыгъэм и 5 Европэм и махуэщ 1836 гъэм Европэм щыяпэ дыдэу Бельгием гъущI гъуэгу щаутIыпщащ. 1945 гъэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм я бийуэ Прагэ зыкъыщаIэтащ IэщэкIэ зэщIэузэда цIыхухэм. 1945 гъэм советыдзэхэм Даниемрэ Нидерландхэмрэ хуит къащIыжащ. 1949 гъэм Лондон Iэ щытрадзащ Европэм и Советым и уставым. 1938 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ дохутыр Бахъсэн Хьэмэдэ. 1943 гъэм къалъхуащ усакIуэ, ЩIДАА-м и академик, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн. 1948 гъэм къалъхуащ Адыгейм и цIыхубэ сурэтыщI ПэтIуащIэ Феликс. 1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛIыс Мухьэмэд. 1953 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэмыку Жаннэ. Накъыгъэм и 6 1939 гъэм Налшык шыгъэжапIэ къыщызэIуахащ. Накъыгъэм и 7 Радиом, связым и IэнатIэ псоми я лэжьакIуэхэм я махуэщ 1895 гъэм урыс инженер Попов Александр япэ радиоприемник къигупсысащ. 1927 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и япэ нэтынхэм щIидзащ. 1985 гъэм Налшык Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ. 1990 гъэм КъБР-м и «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. Накъыгъэм и 8 Жор плъыжьымрэ Мазэ-ныкъуэ щхъуантIэмрэ я дунейпсо махуэщ 1945 гъэм фашист Германием псалъэмакъыншэу зыкъызэритымкIэ актым Iэ традзащ. 1953 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къущхьэ Хьэсбий. Накъыгъэм и 9 ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И МАХУЭЩ 1945 гъэм «1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекIуам папщIэ» медалыр ягъэуващ. 1945 гъэм советыдзэхэм Чехословакием и щыхьэр Прагэ хуит къащIыжащ. 1918 гъэм къалъхуащ адыгей драматург, прозаик Щхьэплъокъуэ Хьисэ. 1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Сэкрэк Мухьэдин. 1943 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Атэлыкъ Къэралбий. Накъыгъэм и 10 1938 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ Шапсыгъ Хьэсэн. 1948 гъэм къалъхуащ усакIуэ Къуныжь ХьэIишэт. Накъыгъэм и 11 1920 гъэм «Гудок» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ. 1939 гъэм Япониер Монголием теуащ. 1934 гъэм КъБР-м ПромышленностымкIэ и управленэ къызэрагъэпэщащ. Накъыгъэм и 12 Медицинэ сестрахэм я дунейпсо махуэщ 1570 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ Дон къэзакъыгъуэр. 1954 гъэм Налшык политехническэ техникум къыщызэIуахащ. Накъыгъэм и 13 1783 гъэм Урысейм и тенджыз ФIыцIэ флотыр къызэрагъэпэщащ. 1913 гъэм Дзэлыкъуэ мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ. 1913 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъубж Мухьэдин. 1953 гъэм къалъхуащ «Налшык машзавод» ОАО-м и унафэщI Соблыр Руслан. Накъыгъэм и 14 1692 гъэм япэ урыс дзэ кхъухьыр псым трагъэхьащ. 1796 гъэм инджылыз еджагъэшхуэ Дженнер Эдвард япэу фэрэкI хилъхьащ. 1955 гъэм Варшавэ ЗэгурыIуэныгъэр зэращIылIащ. Накъыгъэм и 15 Унагъуэм и дунейпсо махуэщ 1935 гъэм Москва и метром япэ мафIэгур ирикIуащ. 1942 гъэм 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ шу дивизэр зауэм Iухьащ. 1945 гъэм Югославиер хуит къащIыжащ. 1903 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Темыр Сэлихь. 1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, режиссер ШэрыIужь Анатолий. Накъыгъэм и 16 1954 гъэм Налшык къыщызэIуахащ украин тхакIуэ Вовчок Маркэ и фэеплъ. 1808 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэтх, этнограф, тхакIуэ Хъан-Джэрий СулътIан. Накъыгъэм и 17 Хъыбар зыт жылагъуэм и дунейпсо махуэщ 1944 гъэм Кърым АССР-р щымыIэж ящIащ. Кърым тэтэр мин 200-м нэс ирашауэ щытащ щалъхуа щIыпIэхэм. 1848 гъэм къалъхуащ тхыдэтх, узэщIакIуэ Хьэджымыкъуэ Темтэч. Накъыгъэм и 18 Музейхэм я дунейпсо махуэщ 1764 гъэм Петербург къыщызэIуахащ Урысейм и япэ цIыхубз еджапIэ (Смольнэ институт). 1925 гъэм Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ музейр къызэIуахащ. Накъыгъэм и 19 1943 гъэм СССР-м и ГКО-м Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ. 1985 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Сабий творчествэм и унэ. 1991 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей лъэпкъым и япэ конгресс. Абы и япэ президенту хахащ Къалмыкъ Юрий Хьэмзэт и къуэр. Накъыгъэм и 20 1875 гъэм Париж къыщащтащ метр, литр, килограмм пщалъэхэр. 1939 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ артист», «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ. 1938 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэх Сэфарбий. 1948 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик АкIырэ Аслъэн. Накъыгъэм и 21 Урыс-Кавказ зауэм (1763-1864) хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэщ 2004 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ. Накъыгъэм и 23 1769 гъэм франджы инженер Куньо Николэ зы сыхьэтым километри 5 зыкIу автомашинэ зэпкърилъхьауэ щытащ. 1801 гъэм инджылыз ин-женер Тревитик Ричард бахъэкIэ зекIуэ автомобиль къигупсысащ. Абы зы сыхьэтым километр 14,5-рэ икIуфырт. Накъыгъэм и 24 Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэщ 1918 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и лIыхъужь Иуан Хьэсэн. Накъыгъэм и 25 Филологым и махуэщ УФ-м и школхэм иужьрей уэзджынэр къыщоуэ. 1987 гъэм «Сыбыр» мылкъутэ атом кхъухьыр Полюс Ищхъэрэм нэсащ. 1923 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Къамбий Мухьэб. Накъыгъэм и 26 Урысей хьэрычэтыщIэм и махуэщ Химикым и махуэщ 1995 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер (иджы университетщ) къызэIуахащ. 1928 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щэрдан Iэбу. Накъыгъэм и 27 Библиотекэхэм я урысейпсо махуэщ 1703 гъэм Санкт-Петербург ухуэн щIадзащ. 1795 гъэм Урысейм цIыху куэд зэуэ зэкIуалIэ хъун библиотекэ къыщызэIуахащ. Накъыгъэм и 28 Гъунапкъэхъумэм и махуэщ 1923 гъэм Адыгейм и профсоюзхэр къызэрагъэпэщащ. 1928 гъэм Мейкъуапэ къыщызэIуахащ Адыгейм и тхылъ тедзапIэ. Накъыгъэм и 30 1431 гъэм Руан къалэм и утышхуэм щагъэсащ Жаннэ д,Арк. Накъыгъэм и 31 Урысей адвокатурэм и махуэщ Тутын емыфэным и дунейпсо махуэщ 1223 гъэм урысхэмрэ тэтэрхэмрэ Калкэ псым деж щызэзэуащ. 1948 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Шэвлокъуэ Вячеслав. Мэкъуауэгъуэм и 1 Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ 1892 гъэм Урысейм щыяпэу Киев электричествэкIэ зекIуэ трамвай щаутIыпщащ. Мэкъуауэгъуэм и 2 1928 гъэм Налшык тхылъ тедзапIэ къыщызэIуахащ. 1962 гъэм Новочеркасск щызэтраукIат я гукъеуэхэр жаIэну уэрамым къыдыхьа цIыху мамырхэр. Мэкъуауэгъуэм и 3 1864 гъэм Урысейм япэ зоосадыр къыщызэIуахащ. 1907 гъэм ЕтIуанэ Къэрал Думэр зэбграутIыпщыкIыжащ. 1943 гъэм Налшык лы комбинатыр зэфIэгъэувэжын яухащ. 1948 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Шал Мухьэмэд. 1953 гъэм къалъхуащ радиожурналист, Урысей артиадэм и лауреат Багъэтыр Нинэ. 1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Ещтрэч СулътIан. Мэкъуауэгъуэм и 4 Бийр къащытеуам хэкIуэда сабийхэм я дунейпсо ма- хуэщ 1856 гъэм Третьяковскэ галереер къызэIуахащ. 1943 гъэм Налшык щекIуэкIащ фашистхэм я бийуэ республикэм и цIыхубзхэм къызэрагъэпэща пэкIур. Мэкъуауэгъуэм и 5 Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и дунейпсо махуэщ Урысейм и экологым и махуэщ 1928 гъэм къалъхуащ журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бекъан Чыланий. 1943 гъэм къалъхуащ усакIуэ Бещтокъуэ Хьэбас. Мэкъуауэгъуэм и 6 Пушкин и махуэщ Урысыбзэм и махуэщ 1799 гъэм урыс усакIуэшхуэ Пушкин Александр къалъхуащ. 1944 гъэм етIуанэ фронтыр къызэIуахащ. 1945 гъэм «1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм и къару емыблэжу зэрылэжьам папщIэ» медалыр ягъэуващ. Мэкъуауэгъуэм и 7 1881 гъэм Пушкин Александр и фэеплъ Москва къыщызэIуахащ. 1936 гъэм КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ и республикэ комитет къызэрагъэпэщащ. Мэкъуауэгъуэм и 8 Социальнэ лэжьакIуэм и махуэщ 1661 гъэм Идар Темрыкъуэ и къуэрылъху Черкасский Муцал дунейм ехыжащ. 1943 гъэм Налшык фашистхэм я бийуэ интеллигенцэм и пэкIу щекIуэкIащ. Мэкъуауэгъуэм и 9 1883 гъэм Москва тхыдэ музей къыщызэIуахащ. 1935 гъэм Iуащхьэмахуэ и щыгум япэ дыдэу гупышхуэ дэкIащ. Мэкъуауэгъуэм и 10 1774 гъэм Урысеймрэ Тыркумрэ зэращIылIащ Кючук-Кайнарджи мамыр зэгурыIуэныгъэр. Абы ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр Урысейм и зы Iыхьэу къалъытащ. 1936 гъэм «Союзмультфильм» киностудиер къызэрагъэпэщащ. 1955 гъэм Тырныаузрэ Докшукинэрэ къалэ хъуащ. Мэкъуауэгъуэм и 12 Урысей Федерацэм и Къэрал махуэшхуэщ 1942 гъэм Зеикъуэ къуажэм (КъБАССР) къагъэIэпхъуат Ленинград хамэ къэралыбзэхэр щаджу дэт пединститутыр. 1945 гъэм Калинин М. И. Кремлым маршал Жуков Г. К. щритащ Совет Союзым и ЛIыхъужьым и ещанэ Дыщэ Вагъуэр. 1990 гъэм Урысей Федерацэм и Къэрал суверенитетым и Декларацэр къащтащ. 1990 гъэм «Печатымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ ятеухуауэ» Законыр СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ. Абы цензурэр игъэкIуэдыжащ. Мэкъуауэгъуэм и 13 1936 гъэм Къэбэрдей лъэпкъ драмэ театрыр къызэIуахащ. Мэкъуауэгъуэм и 14 1936 гъэм КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ и управленэр къызэрагъэпэщащ. Мэкъуауэгъуэм и 15 1561 гъэм Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие) и дэлъху Думэныкъуэ, и шыпхъу Алътыншаш, абы и щхьэгъусэ Бекбулат, а тIум я къуэ Саин-Булат я гъусэу Москва нэсащ. 1862 гъэм Америкэм щыщ Гатлинг Ричард япэу пулемет къигупсысащ. 1943 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Пщыгъуэш Юрий. Мэкъуауэгъуэм и 16 1930 гъэм Волгоград (Сталинград) трактор заводыр лажьэу яутIыпщащ. 1963 гъэм Терешковэ Валентинэ «Восток-6» кхъухьым ису хьэршым лъэтащ. Мэкъуауэгъуэм и 17 ЩIыр игъущыкIынымрэ уэгъумрэ ебэныным и дунейпсо махуэщ 1565 гъэм Идар Темрыкъуэ и къуэ Мамсырыкъуэ Москва кIуащ. 1961 гъэм Налшык экраныбгъуэ зиIэ «Восток» кинотеатрыр къыщызэIуахащ. Мэкъуауэгъуэм и 18 1956 гъэм Налшык музыкэ училищэ къыщызэIуахащ. Мэкъуауэгъуэм и 20 Зи псэупIэр Iэмалыншагъэ-кIэ зыхъуэжын хуей хъуа- хэм я дунейпсо махуэщ 1957 гъэм Москва Союзхэм я Унэм и Колоннэ залышхуэм къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м гъуазджэмрэ литературэмкIэ и гъэлъэгъуэныгъэр. 1938 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Кхъуэтепыхьэ Мухьэмэд. Мэкъуауэгъуэм и 21 1925 гъэм Москва и уэрамхэм япэ таксихэр къыдыхьащ. Мэкъуауэгъуэм и 22 Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ махуэщ 1941 гъэм Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. 1944 гъэм Къэбэрдей АССР-м и Министрхэм я Советым деж Архив управленэ къыщызэрагъэпэщащ. 1967 гъэм Налшык ПТУ №7-м и спортсменкэ 15 ди щыхьэрым щежьэри, лъакъуэрыгъажэкIэ Ленинград кIуэну гъуэгу техьащ. 1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ХьэпащIэ Юрий. 1953 гъэм къалъхуащ УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, профессор, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и ректор Рахаев Анатолий. Мэкъуауэгъуэм и 23 Олимп дунейпсо махуэщ ООН-м и къэрал къулыкъу щIэным и дунейпсо махуэщ 1868 гъэм зэрытхэ машинкэ къагупсысащ. 1941 гъэм Къэсейхьэблэ щыщ ТхьэмытлIокъуэ Хьэсэн, КъухьэпIэ Украинэм и къэрал гъунапкъэр ихъумэу, лIыгъэ хэлъу и гъащIэр итащ: гранатэхэр щIэпхауэ фашист танкым зыщIидзэри, ар икъутащ, езыри хэкIуэдащ. Мэкъуауэгъуэм и 24 1937 гъэм Республикэм и Советхэм я чрезвычайнэ съездым къищтащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и япэ Конституцэр. 1945 гъэм Москва и Ут Плъыжьым ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ. 1923 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, УФ-ми АР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ КIэрашэ Зейнаб. Мэкъуауэгъуэм и 25 Славянхэм я зэныбжьэгъуныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я махуэщ 1948 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, журналист, политикэ щIэныгъэхэм я доктор, академик КIэрашэ Аслъэнбэч. Мэкъуауэгъуэм и 26 Наркоманиемрэ наркобизнесымрэ ебэныным и дунейпсо махуэщ 1920 гъэм Налшык и Затишье хьэблэм япэ санаторэ къыщызэIуахат. Абы Сталин Иосифи зыщигъэпсэхуауэ щытащ. 1938 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутатхэр япэу хахащ. 1938 гъэм къалъхуащ режиссер, КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Абдокъуэ Маталио. Мэкъуауэгъуэм и 27 Бдзэжьеящэм и дунейпсо махуэщ Урысейм и щIалэгъуалэм я махуэщ 1709 гъэм урысыдзэр шведхэм Полтавэ деж щатекIуащ. 1919 гъэм Япэ дунейпсо зауэр зэриухамкIэ зэгурыIуэныгъэм Версаль Iэ щытрадзащ. 1979 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр ягъэуващ. 1968 гъэм къалъхуащ тхыдэдж, ЩIДАА-м и член-корреспондент Хъуэткъуэ Самир. Мэкъуауэгъуэм и 28 1948 гъэм Архитекторхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. 1798 гъэм къалъхуащ Iуащхьэмахуэ япэ дыдэу дэкIа (1829) адыгэлI Хьэшыр Чылар. Мэкъуауэгъуэм и 29 1908 гъэм Тунгус метеоритыр ЩIым къытехуащ. 1940 гъэм Луначарскэм и цIэр зезыхьэ Театральнэ институтым и адыгэ студиер къаухащ Къэбэрдей драмэ театрым и актер хъунухэм. Мэкъуауэгъуэм и 30 1908 гъэм Бахъсэн, Дзэлыкъуэ мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ. 1898 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Щоджэн ТIэлашэ. Бадзэуэгъуэм и 1 1957 гъэм Москва и Театр Иным щызэхэтащ Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и щIыхькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэм я иужьрей концертыр. 1981 гъэм КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и секретару хахащ. Бадзэуэгъуэм и 2 Спорт журналистым и дунейпсо махуэщ Кооперативхэм я дунейпсо махуэщ 1556 гъэм Астрахань Урысей къэралыгъуэм хыхьащ. 1964 гъэм «Къэббалъкъгаз» трестыр къызэрагъэпэщащ. 1990 гъэм КПСС-м и ХХVIII съездыр (иужьрей дыдэр) къызэIуахащ. 1913 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ Гъуэщокъуэ Хъусин. Бадзэуэгъуэм и 3 ГИБДД-м (ГАИ-м) и лэжьакIуэхэм я махуэщ 1700 гъэм Константинополь щызэращIылIа мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Iузэв (Азов) и Iэгъуэблагъэхэри щIыгъуу (Таганрог, Павловск, Миус) Урысейм и щIыналъэ хъуащ. 1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УказкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Ленин орденыр етIуанэу къыхуагъэфэщащ. Бадзэуэгъуэм и 4 Дзэ-тенджыз флотым и авиацэм и махуэщ 1848 гъэм Маркс Карлрэ Энгельс Фридрихрэ я «Коммунист партым и манифестыр» къыдэкIащ. 1916 гъэм Урысейм и тенджыз кхъухьлъатэзехуэхэр Балтие тенджыз щIыIум щекIуэкIа хьэуа зауэм щытекIуащ. Бадзэуэгъуэм и 5 1943 гъэм Курск зауэм щIидзащ. 1957 гъэм Налшык Лениным и фэеплъ къыщызэIуахащ. 1963 гъэм къалъхуащ политикэ лэжьакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист, КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутат, «Абазашта» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къул Фардаус. Бадзэуэгъуэм и 6 1557 гъэм Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм гухьащ. 1957 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и гуфIэгъуэ сессие зэхэтащ. Ар теухуауэ щытащ Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам икIи республикэм Ленин орденыр етIуанэу къызэрыратам. Бадзэуэгъуэм и 7 1687 гъэм Ньютон Исаак къихутащ дунейм зыщIэзышэ къару зэрыхэлъыр. 1971 гъэм КIыщокъуэ Алим СССР-м и Литфондым и унафэщIу хахащ. 1928 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, IуэрыIуатэдж, литературэдж, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Нало Заур. 1968 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Парламентым и депутат Iэпщэ Заур. Бадзэуэгъуэм и 8 Унагъуэм, лъагъуныгъэм, пэжыгъэм и махуэщ 951 гъэм Франджым и щыхьэр Париж ухуэн щIадзащ. 1796 гъэм США-м япэу паспорт тын щыщIадзащ. Бадзэуэгъуэм и 9 1945 гъэм ВКП(б)-м и Налшык къалэ комитетым унафэ къищтащ Хэку зауэшхуэм ныкъуэдыкъуэ щыхъуахэм защIэгъэкъуэным теухуауэ. 1959 гъэм Налшык и Театр ЩхъуантIэм Пятницкэм и цIэр зезыхьэ къэрал академическэ хорым и концерт щекIуэкIащ. 1938 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, «Ника» саугъэтыр зрата IэхъуэджакIуэ Лие. Бадзэуэгъуэм и 10 1918 гъэм Советхэм я V Урысейпсо съездым РСФСР-м и Конституцэр — япэ Совет Конституцэр къищтащ. Бадзэуэгъуэм и 11 1958 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблыр Монголием кIуащ, абы и лъэпкъ махуэшхуэм хэтын папщIэ. 1987 гъэм дунейм цIыхуу щыпсэур меларди 5 ирикъуащ. 1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къуныжь Алим. Бадзэуэгъуэм и 12 1641 гъэм Астрахань хъаныдзэм Балъкъ и деж щригъэкIуэкIа зауэм хэкIуэдащ Къундет зэшхэр — Чэлимэтрэ Елдаррэ. 1958 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Пщыгъусэ Аслъэнбэч. 1958 гъэм къалъхуащ спортсмен, дзюдомкIэ дунейпсом и чемпион Лъыцэр Хьэзрэт. Бадзэуэгъуэм и 13 1908 гъэм Лондон къыщызэIуахащ IV Олимп Джэгухэр. Абы япэ дыдэу цIыхубзхэр хэтащ. 1930 гъэм Монтевидео (Уругвай) къыщызэIуахащ футболымкIэ япэ дунейпсо чемпионатыр. Абы къэрал 13 хэтащ. Уругвайр чемпион хъуащ. Бадзэуэгъуэм и 14 Урысей пощтым и махуэщ Бдзэжьеящэм и махуэщ 1945 гъэм Париж ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ. Япэ иту уэрамым ирикIуащ Франджым и ЛIыхъужь Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан. 1957 гъэм Налшык щекIуэкIащ СССР-м ис лъэпкъ псоми я тхакIуэхэр зыхэта пшыхь гъэщIэгъуэн. 1965 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и къэрал ансамблыр къафэмкIэ «Кабардинка» ансамблу зэрахъуэкIащ. Бадзэуэгъуэм и 15 1812 гъэм урысыдзэр Наполеон зэрытекIуам и щIыхькIэ хьэрэкIытIэхэр драгъэлъэтеящ. 1939 гъэм Бахъсэн, Аруан, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм район газетхэр къыщыдэкIыу щIадзащ. 1957 гъэм РСФСР-м и гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэм я лIыкIуэхэм я кIэух концертыр Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щекIуэкIащ. 1948 гъэм къалъхуащ усакIуэ Балъкъыз Батий. Бадзэуэгъуэм и 16 622 гъэр муслъымэн махуэгъэпсым и щIэдзапIэщ. Ислъамым и къежьапIэу къалъытэ. Мухьэмэд Бегъымбарыр Мэккэм икIри, Мэдинэ кIуащ. 1948 гъэм къалъхуащ сурэтыщI Болэт Людмилэ. Бадзэуэгъуэм и 17 1918 гъэм Романовхэ я унагъуэр Екатеринбург щаукIащ. 1942 гъэм Сталинград зауэм щIидзащ. 1945 гъэм ЕтIуанэ дунейпсо зауэм текIуэныгъэр къыщызыхьа къэралхэм я Iэтащхьэхэм я Берлин (Потсдам) конференцыр къызэIуахащ. 1967 гъэм Лениным и цIэр зэрихьэу Арщыдан щыIэ колхозым Ленин орденыр къратащ. 1968 гъэм къалъхуащ шэрджэс сурэтыщI Къардэн Мухьэдин. Бадзэуэгъуэм и 18 Ди эрэм и 64 гъэм Рим мафIэм исат. Район 14-м щыщу къэнар 4 къудейт. 1941 гъэм Къардэн Къубатий япэ фашист кхъухьлъатэр къриудыхащ. Бадзэуэгъуэм и 19 1942 гъэм Къардэн Къубатий Березовскэ щIыналъэм фашист кхъухьлъатитI къыщриудыхащ. 1903 гъэм ЛъакъуэрыгъажэмкIэ япэ дунейпсо зэпеуэр екIуэкIащ. 1980 гъэм Москва щыщIидзащ ХХII Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм. Бадзэуэгъуэм и 20 Шахматхэм я дунейпсо махуэщ 1561 гъэм къэбэрдей пщы уэлийм ипхъу Гуащэнэ чыристан диныр кърагъэщтащ, Марие цIэри фIащащ. 1924 гъэм Дунейпсо шахмат федерацэр (ФИДЕ) къызэрагъэпэщащ. 1938 гъэм къалъхуащ сабий усакIуэ АфIэунэ Лиуан. 1938 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, драматург, АР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуиикъуэ Налбий. 1938 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, философие щIэныгъэхэм я доктор, техникэ щIэныгъэхэм я кандидат, БизнесымкIэ институтым и унафэщI Хъурей Феликс. Бадзэуэгъуэм и 21 Металлургым и махуэщ 1829 гъэм адыгэлI Хьэшыр Чылар япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ и щыгум къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ дэкIащ. 1969 гъэм Америкэм щыщ астронавт Армстронг Нил Мазэм и щхьэфэм япэ дыдэу теуващ. 1994 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал гербыр, Къэрал ныпыр, Къэрал гимныр къащтащ. Бадзэуэгъуэм и 22 1945 гъэм Къэбэрдей Республикэм и щакIуэ хозяйствэр къызэрагъэпэщащ. Бадзэуэгъуэм и 23 1903 гъэм «Форд» корпорацэм япэ автомобиль къыщIигъэкIащ. 1930 гъэм Москва авиационнэ институт къыщызэIуахащ. 1923 гъэм къалъхуащ генерал-майор, тхакIуэ Нэхущ Мырзэбэч (Борис). Бадзэуэгъуэм и 24 1937 гъэм Америкэм щыщ кхъухьлъатэзехуэ Эрхарт Амалие кхъухьлъатэкIэ япэу Атлантикэ хым щхьэпрылъэтыкIащ. Бадзэуэгъуэм и 25 1472 гъэм шэрджэс кхъухь 24-рэ тенджыз ФIыцIэм зэпрыкIри, Тыркум теуауэ щытащ. 1943 гъэм Прохладнэ — Налшык гъущI гъуэгур зэфIэгъэувэжыныр зэфIэкIащ. 1984 гъэм Савицкая Светланэ цIыхубз космонавтхэм ящыщу япэу кхъухьым къикIри, хьэршым хыхьащ. Бадзэуэгъуэм и 26 1926 гъэм Петропавловск быдапIэм декабристхэр щаукIащ. 1957 гъэм СССР-м дунейм щыяпэу гъуэгуанэшхуэ зэпызычыф баллистическэ ракетэр иутIыпщащ. 1943 гъэм къалъхуащ тырку театрымрэ киномрэ я актер, тхакIуэ Онер (ГъуэгулI) Четин. Бадзэуэгъуэм и 27 1841 гъэм Псыхуабэ пэмыжыжьэу Мэшыкъуэ бгы лъапэм и деж щаукIащ урыс тхакIуэшхуэ Лермонтов Ми-хаил. 1991 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ президент къулыкъур. 1928 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Iэбубэчыр Нажмудин. Бадзэуэгъуэм и 28 1586 гъэм Европэм кIэртIофыр къашащ. 1697 гъэм Камчаткэ хытIыгуныкъуэр къызэIуахащ. 1957 гъэм «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблыр студентхэмрэ щIалэгъуалэмрэ Москва щрагъэкIуэкIа фестивалым и лауреат хъуащ. Бадзэуэгъуэм и 29 1997 гъэм адыгэ пхъу- рылъху, иордан пащтыхьыкъуэ Алий Бен-Хъусейн «Кабардинка» ансамблым хэт пщащэхэм къадэфащ. 1938 гъэм къалъхуащ абхъаз щIэныгъэлI, жылагъуэ лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Шамбэ Тарас. Бадзэуэгъуэм и 30 Системнэ администраторым и махуэщ 1980 гъэм Израилым и кнессетым къэралым и щыхьэру Иерусалим игъэуващ. Бадзэуэгъуэм и 31 1866 гъэм лIыщIэхэр ящэну, нэгъуэщIым иратыну хуимыту унафэ къыдэкIащ. 1991 гъэм Москва СССР-мрэ США-мрэ Iэ щытрадзащ зэребгъэрыкIуэ Iэщэхэр (СНВ) гъэмэщIэным теухуауэ. ШыщхьэIум и 1 УФ-м IэщIэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я тылым и махуэщ Инкассаторым и махуэщ 1885 гъэм япэ дыдэу уэгум зиIэтащ Можайский А. Ф. ищIа кхъухьлъатэм. 1914 гъэм Япэ дунейпсо зауэм щIидзащ. 1958 гъэм «Iуащхьэмахуэ» журналым и япэ номерыр дунейм къытехьащ. 1967 гъэм Бахъсэнрэ Тэрчрэ къалэ хъуащ. 1938 гъэм къалъхуащ адыгэ критик, литературэдж, зэдзэкIакIуэ, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛъапцIэрышэ Хъалид. 1943 гъэм къалъхуащ юридическэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Шапсыгъ (КIэкIыхъу) Дамир. 1953 гъэм къалъхуащ «Шэрджэсхэр зэрырахуар» тхылъым и автор, Хэкум къэзыгъэзэжахэр гъащIэм щыхагъэгъуэзэжу Мейкъуапэ дэт унэм и тхьэмадэ Бэрзэдж Убых (Нихьэт). ШыщхьэIум и 2 Хьэуа-Десантыдзэхэм я махуэщ 1916 гъэм Москва АМО заводыр (иужькIэ ЗИЛ хъужар) щаутIыпщащ. 1933 гъэм Беломор-Балт кIэнауэр километр 227-рэ и кIыхьагъыу ятащ. 1942 гъэм Налшык Дзэ Плъыжьым щхьэкIэ щагъэхьэзырат ткIуаткIуэ къауэу птулъкIэ мин 20. ШыщхьэIум и 3 1783 гъэм Куржым (Грузием) и КъухьэпIэ лъэныкъуэр Урысейм хыхьащ. 1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым зыхъумэжыныгъэмкIэ гупхэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэ къищтащ. 1952 гъэм Хельсинки щызэхуащIыжащ ХV Олимп Джэгухэр. Абы япэ дыдэу СССР-м и спортсменхэр хэтащ. 1994 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Бгырысхэм я дунейпсо конгресс. ШыщхьэIум и 4 ГъущI гъуэгум и лэжьакIуэм и махуэщ ШыщхьэIум и 5 1963 гъэм ядернэ Iэщэр хьэуам, хьэршым, псы щIагъым щыгъэунэхуныр мыдэным теухуа ЗэгурыIуэныгъэм Iэ традзащ. ШыщхьэIум и 6 Хиросимэ и махуэщ Ядернэ Iэщэр мыдэным и дунейпсо махуэщ «Дунейм и дохутырхэр мамырыгъэм и телъхьэщ» дунейпсо махуэщ 1941 гъэм ВЛКСМ-м и обкомым унафэ ищIащ республикэм и щIалэгъуалэм ящыщу Дзэ Плъыжьым связист 400 хуагъэхьэзырыну. 1945 гъэм Японием и Хиросимэ къалэм США-м и кхъухьлъатэм атомнэ бомбэ щридзыхащ. 1968 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, Плехановым и цIэр зезыхьэ академием и профессор, ЩIДАА-м и академик Пащты Лелэ. ШыщхьэIум и 7 1646 гъэм къэзакъ атаман Пожарский Семенрэ адыгэпщ Черкасский Муцалрэ зауэлI мини 6 зыхэт я дзэр Нурадин-Джэрий и лагерым теуэри, хьэбэсабэу зэтракъутащ. 1833 гъэм Черепановхэ зэадэзэкъуэ Ефимрэ Миронрэ Урысейм япэ дыдэу мафIэгу щащIащ, гъущI гъуэгууи километри 3,5-рэ и кIыхьагъыу щаухуащ. 1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зауэ щытыкIэ щагъэуващ. ШыщхьэIум и 8 1899 гъэм США-м дунейм щыяпэу щIыIалъэ (холодильник) щащIащ. 1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым унафэ ищIащ къалэм и къыдыхьэпIэхэм быдапIэхэр щаухуэну. 1948 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ-космонавт, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Савицкая Светланэ. ШыщхьэIум и 9 Физкультурникым и махуэщ 1942 гъэм блокадэм ит Ленинград къалэм щагъэзэщIат Шостакович Дмитрий и «Ебланэ симфоние» цIэрыIуэр. 1945 гъэм Японием и Нагасаки къалэм США-м и кхъухьлъатэм атомнэ бомбэ щридзыхащ. 1828 гъэм къалъхуащ Кавказым и археолог, археограф Берже Адольф. ШыщхьэIум и 10 1876 гъэм Онтарие штатым (Канадэ) дунейм щыяпэу телефон аппарат къыщагупсысащ. 1948 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, «Адыгэ амазонкэхэр» тхылъым и автор Ахъмэт МуIэед. ШыщхьэIум и 11 УхуакIуэм и махуэщ 1485 гъэм Италием щыщ архитектор Фрязин Антон (Джиларди Антонио) Москва Кремлым и Тайницкэ чэщанэр ухуэн щIидзащ. ШыщхьэIум и 12 УФ-м и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я махуэщ ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэщ 1953 гъэм СССР-м дунейм щыяпэу водороднэ бомбэ игъэунэхуащ. ШыщхьэIум и 13 1942 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм фашистхэм я бийуэ пэкIу ирагъэкIуэкIащ. 1961 гъэм Берлин тIууэ зыгуэш блыныр ухуэн щIадзащ. 1908 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТхьэкIушынэ Нухь. 1963 гъэм къалъхуащ КъБР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я артист, опернэ уэрэджыIакIуэхэм Пуччини и цIэкIэ Милан (Италие) щрагъэкIуэкIа зэпеуэм и финалисту щыта Ташло Алий. ШыщхьэIум и 14 Абхъазыр зыхъумахэм я фэеплъ махуэщ 1930 гъэм СССР-м къыщащтащ Iэмал имыIэу пэщIэдзэ щIэныгъэ дэтхэнэ и цIыхуми иIэн зэрыхуейм теухуа унафэ. 1948 гъэм къалъхуащ Тырку Республикэм щылажьэ «КАФФЕД» зэгухьэныгъэм хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Джандемыр (Гугъэв) Джихьэн. ШыщхьэIум и 15 1945 гъэм маршал Жуков Г. К. «ТекIуэныгъэ» орденыр етIуанэу иратащ. ШыщхьэIум и 16 1934 гъэм Москва къыщызэIуахащ СССР-м и ТхакIуэхэм я япэ съездыр. 1939 гъэм «Кабардинка» ансамблым концертхэр КъуэкIыпIэ Жыжьэм тын щыщIидзащ. 1960 гъэм Налшык къыщызэIуахащ изобразительнэ гъуазджэмкIэ музей. 1965 гъэм Урысейм и щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр къызэрагъэпэщащ. ШыщхьэIум и 17 1771 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм езым и унафэкIэ Къэбэрдейм и цIыхубэм Щытхъу тхылъ къаритащ. 1928 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэркъуахъуэ Инус. ШыщхьэIум и 18 Хьэуа флотым и махуэщ 1941 гъэм КъБР-м тхьэмахуэ щIыхьэху щекIуэкIащ. Абы къыщалэжьа сом мин 300-р Зыхъумэжыныгъэм и фондым халъхьащ. ШыщхьэIум и 19 1942 гъэм Къардэн Къубатий Елъхъуэт (Осетие Ищхъэрэ) и деж бийм и кхъухьлъатитI къыщриудыхащ. 1991 гъэм ГКЧП-м СССР-м чрезвычайнэ щытыкIэ щигъэуват. ШыщхьэIум и 21 1561 гъэм урыс пащтыхь Грозный Иван (Иван IV Васильевич) щхьэгъусэу ишащ къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие). 1964 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэм я V съезд екIуэкIащ. ШыщхьэIум и 22 Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэщ 1937 гъэм КIыщокъуэ Пщымахуэ дунейм ехыжащ. 1959 гъэм Тэрч къалэ щатащ налмэс Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкI завод. ШыщхьэIум и 23 1382 гъэм Урысейм артиллерие дзэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Ар япэу къагъэсэбэпащ Тохъутэмыщ хъаныр Мэзкуу щытеуам щыгъуэ. 1943 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Курск и деж нэмыцэ-фашистыдзэр щызэтрикъутащ. 1992 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиер къызэрагъэпэщащ. ШыщхьэIум и 24 Ди эрэм и 79 гъэм Везувий вулканыр кърихуащ. Абы зэтрикъутащ Помпей, Геркуланум къалэхэр. 1830 гъэм дунейм ехыжащ Къэбэрдейм и пщы уэлий хахуэ Жанхъуэт Кушыку. 1943 гъэм Къардэн Къубатий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. 1943 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, зэдзэкIакIуэ КъумпIыл Къадырбэч. ШыщхьэIум и 25 Шахтерым и махуэщ ШыщхьэIум и 26 1908 гъэм Тыркум япэ Адыгэ Хасэ къыщызэрагъэпэщащ. 1991 гъэм РАН-м прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и КъБЩIКъИ-р къызэIуахащ. ШыщхьэIум и 27 Урысей кином и махуэщ 1955 гъэм дунейм къытехьащ Рекодхэр зратхэ Гиннесс и тхылъыр. 1933 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБКъУ-м и доцент Бозий Людин. 1958 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, Абхъазым и ЛIыхъужь Килбэ Мухьэмэд. ШыщхьэIум и 28 1924 гъэм Налшык къыщызэрагъэпэщащ ФизкультурэмкIэ щIыналъэ совет. 1933 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щокъуий Владимир. ШыщхьэIум и 29 1949 гъэм СССР-м академик Курчатов И. В. и унафэм щIэту япэ атомнэ бомбэ щагъэунэхуащ. 1928 гъэм къалъхуащ кавказыдж, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Къумахуэ Мухьэдин. ШыщхьэIум и 30 1730 гъэм пщы Черкасский Алексей Невский Александр и орденыр къратащ. 1918 гъэм Каплан Фанни Ленин (Ульянов) Владимир иукIыну хэтащ. ШыщхьэIум и 31 1914 гъэм Санкт-Петербург Петрограду зэрахъуэкIащ. 1971 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Октябрь Революцэ орденыр къратащ. 1928 гъэм къалъхуащ АР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Иуан Аслъэн. 1933 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, БзэщIэныгъэхэмкIэ Армавир университетым и профессор, Кубаным щIэны-гъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сэкий (Согуэ) Нурдин. ФокIадэм и 1 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и махуэщ Налшык къалэм и махуэщ Мамырыгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ ЩIэныгъэм и махуэщ Гъэ еджэгъуэщIэм щIедзэж 1569 гъэм Идар Гуащэнэ (Марие) дунейм ехыжащ. 1674 гъэм пщы Черкасский Муцал и къуэ Къасболэт и дзэм Азов и деж тыркудзэр щызэтрикъутащ. 1921 гъэм Къэбэрдей АО-р къызэрагъэпэщащ. 1939 гъэм ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къэхъеящ. 1940 гъэм Тырныауз вольфрам-молибден комбинатыр лажьэу яутIыпщащ. 1940 гъэм Налшык къыщызэрагъэпэщащ адыгэ, балъкъэр балет студиехэр. ФокIадэм и 2 Урысей гвардием и махуэщ Ди эрэм и пэкIэ 490 гъэм пасэрей зауэлI Фитипид алыджхэр персхэм зэратекIуамкIэ хъыбарыщIэ хьэлэмэтыр и хэкуэгъухэм яригъэщIэн папщIэ Марафон къалэм къыщыщIэдзауэ Афинхэм нэсыху — километр 42-рэ метри 195-рэ — гъуэгуанэр къижауэ щытащ. Абы и щIыхькIэ марафон жэкIэр Олимп Джэгухэм хагъэхьащ. 1943 гъэм Къанкъуэщ Ахьмэдхъан Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. 1983 гъэм къалъхуащ атлетикэ хьэлъэмкIэ дунейпсо спортым и мастер, дунейпсо чемпионатым жэз медаль къыщызыхьа, Европэ зэпеуэм дыжьын медаль къыщызыхьа Къардэн Рагнеттэ. ФокIадэм и 3 Терроризмэм ебэныным и дунейпсо махуэщ 1612 гъэм Пожарский Дмитрий польшэдзэм текIуащ. ФокIадэм и 4 1775 гъэм Фальконе Этьен Морис и проекткIэ гъэжын щIадзащ Петр Езанэм и фэеплъ «Гъуаплъэ шууейр». ФокIадэм и 5 1991 гъэм Латвиер, Литвар, Эстониер къэрал щхьэхуэу къалъытащ. 1933 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я энергетик Къущхьэ Мухьэжид. ФокIадэм и 6 1939 гъэм Налшык шыгъэжапIэ къыщызэIуахащ. 1942 гъэм ВЛКСМ-м и обкомым республикэм и щIалэгъуалэр къыхуриджащ нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм ялъэкI псомкIи япэщIэувэну. 1991 гъэм Ленинград къалэм и цIэр Санкт-Петербургыу зэрахъуэкIащ. 2001 гъэм Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэкIуащ. ФокIадэм и 7 1812 гъэм Кутузов зи пашэ урысыдзэр Бородино и деж франджыдзэм щытекIуащ. 1923 гъэм Интерполыр — уголовнэ полицэм и дунейпсо организацэр — къызэрагъэпэщащ. ФокIадэм и 8 Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ Бородино зауэм и махуэщ Журналистхэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэщ Танкистым и махуэщ Финансистым и махуэщ 1923 гъэм къалъхуащ Дагъыстэным и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Лениным и цIэкIэ щыIэ, СССР-м и Къэрал саугъэтхэм я лауреат Гамзатов Расул. 1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Къандэхъу Мухьэмэд. ФокIадэм и 9 Дахагъэм и дунейпсо махуэщ 1970 гъэм Волжскэ автозаводым «ВАЗ-2101» (Жигули) автомашинэ лIэужьыгъуэр къыщIигъэкIыу щIидзащ. 1828 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэшхуэ Толстой Лев. ФокIадэм и 10 1721 гъэм Урысеймрэ Швециемрэ илъэс 21-кIэ ирагъэкIуэкIа Ищхъэрэ зауэр иухащ. 1725 гъэм Невский Александр и орденыр къащтащ. 1938 гъэм къалъхуащ СССР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ, КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Къаншыкъуей Риммэ. 1938 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Къунаш Адэлбий. ФокIадэм и 11 1943 гъэм Къуэныкъуей Назир зауэ къалэн иIэу япэ дыдэу уэгум ихьащ икIи япэ нэмыцэ кхъухьлъатэр къриудыхащ, абы папщIи генерал Савицкэм япэ орденыр къритащ. ФокIадэм и 12 1492 гъэм Колумб Христофор Америкэр къызэIуихащ. 1953 гъэм Хрущев Никитэ КПСС-м и ЦК-м и япэ секретару хахащ. 1959 гъэм совет ракетэр япэу Мазэм лъэтащ икIи СССР-м и ныпымрэ гербымрэ ихьащ. ФокIадэм и 13 1762 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэр пащтыхь къулыкъум пэрыуващ. ФокIадэм и 14 Фашизмэм ихьахэм я фэеплъым и дунейпсо махуэщ Парикмахерым и махуэщ. 1812 гъэм Москва зауэншэу ятат, къалэри дзэри хъума хъун папщIэ. 1960 гъэм ЩIыдагъэ зыщэ къэралхэм я зэгухьэныгъэр (ОПЕК) къызэрагъэпэщащ. ФокIадэм и 15 1932 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутыр къызэIуахащ. 1938 гъэм къалъхуащ усакIуэ, критик, литературовед, КъБКъУ-м и доцент Къэжэр Хьэмид. ФокIадэм и 16 ЩIым и озон къатхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ 1944 гъэм Налшык къыщызэIуахащ республикэм и дохутырхэм я съезд. ФокIадэм и 17 1883 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, «Гъуазэ» газетым (Истамбыл) и япэ редактор ЦIагъуэ Нурий. 1948 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ (АР) Ачмыжь Мариет. ФокIадэм и 18 1929 гъэм СССР-м япэ комбайнхэр, «Коммунар» зыфIащахэр, къыщIигъэкIыу щIидзащ. ФокIадэм и 19 1963 гъэм Инджылызымрэ Франджымрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ Ла-Манш и щIагъым щIэкIыу гъущI гъуэгу яухуэну. ФокIадэм и 20 1862 гъэм Санкт-Петербург къэрал консерваторэр къызэIуахащ. Ар Урысейм и япэ музыкэ еджапIэ нэхъыщхьэщ. 1936 гъэм Бахъсэн ГЭС-р лажьэу яутIыпщащ. 1999 гъэм Мэлбахъуэ Тимборэ дунейм ехыжащ. ФокIадэм и 21 1827 гъэм генерал Ермолов Алексей Кавказым ирашыжащ. 1942 гъэм Бахъсэн партизан гупыр жэщым Къармэхьэблэ щыIэ нэмыцэ гарнизоным теуащ, абы хэщIыныгъэшхуи иритащ. 1933 гъэм къалъхуащ географие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Борей Рауф. ФокIадэм и 22 Махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щыхъу бжьыхьэ махуэщ 1943 гъэм Центральнэ, Воронежскэ фронтхэм я дзэхэр Днепр зэпрыкIащ. ФокIадэм и 23 1869 гъэм Менделеев Дмитрий химие элементхэм я периодическэ законыр къызэIуихащ. 1924 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэншагъэр щыгъэкIуэдынымкIэ комиссэ къызэрагъэпэщащ. 2000 гъэм Тегенекли жылагъуэм къыщызэIуахащ Высоцкий Владимир и музей. ФокIадэм и 24 1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я нэхъыжь лIыкIуэхэм республикэм ис псоми зыхуагъэзащ къарууэ яIэмкIэ нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэувэну. 1993 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ комиссэ. 1948 гъэм къалъхуащ усакIуэ Семэн Руслан. ФокIадэм и 25 1934 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и колхоз-совхоз япэ спартакиадэр. 1941 гъэм ВКП(б)-м и обкомым унафэ ищIащ уIэгъэ хъуа зауэлIхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ комитет къызэрагъэпэщыну. 1933 гъэм къалъхуащ къэбэрдей тхакIуэ Щэмырзэ Iэмырбий. ФокIадэм и 26 Бзэхэм я европэпсо махуэщ 1941 гъэм Налшык щекIуэкIащ республикэм и парт активым и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ цIыхухэр зауэ Iуэхухэм хуегъэджэным. ФокIадэм и 27 Туризмэм и дунейпсо махуэщ 1825 гъэм Инджылызым япэ гъущI гъуэгу щатащ. 1942 гъэм ВКП(б)-м и обкомым унафэ къищтащ республикэм зыхъумэжыныгъэмкIэ гупхэр къызэгъэпэщын хуейуэ. 1960 гъэм Останкинэ телечэщанэр ухуэн щIадзащ. 1933 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, литературэдж, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэщхъуэжь Раисэ. ФокIадэм и 28 Адыгэ фащэм и махуэщ Атом промышленностым и лэжьакIуэхэм я махуэщ ФокIадэм и 29 Машинэ зыщIым и махуэщ ФокIадэм и 30 1960 гъэм Налшык лэжьэн щыщIидзащ «Горянка» алэрыбгъу фабрикэм. Жэпуэгъуэм и 1 Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэщ Музыкэм и дунейпсо махуэщ УФ-м и лъэсыдзэм и махуэщ 1924 гъэм Налшык егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр техникум къыщызэIуахащ. 1933 гъэм Налшык Лениным и цIэр зэрихьэу дэт еджапIэ къалэ цIыкIум къыщызэрагъэпэщащ лъэпкъ студие. Жэпуэгъуэм и 2 1945 гъэм Къэбэрдей пединститутым школ-интернат къыщызэIуахащ. Жэпуэгъуэм и 3 1933 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Кабардинка» къэрал ансамблыр къызэрагъэпэщащ. Жэпуэгъуэм и 4 Псэущхьэхэм я дунейпсо махуэщ Урысей Федерацэм и хьэршыдзэм и махуэщ 1957 гъэм СССР-м дунейм щыяпэу ЩIым и IэрыщI спутникыр иутIыпщащ. 1986 гъэм «Iуащхьэмахуэ лъапэ» къэрал лъэпкъ паркыр къызэрагъэпэщащ. Жэпуэгъуэм и 5 ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэщ Уголовнэ розыскым и лэжьакIуэм и махуэщ 1990 гъэм Адыгэ Республикэр къызэрагъэпэщащ 1914 гъэм япэу хьэуам щызэзэуащ. Уэгум щызэпэуват франджы, нэмыцэ кхъухьлъатитI. 1917 гъэм Владикавказ, Налшык щIыналъэхэм я лIыкIуэу Советхэм я II урысейпсо съездым ягъэкIуат Киров Сергей. Жэпуэгъуэм и 6 1768 гъэм Тыркум Урысейм зауэ кърищIылIащ. 1977 гъэм «МиГ-29» зэребгъэрыкIуэ кхъухьлъатэ псынщIэр япэу лъэтащ. Жэпуэгъуэм и 7 Письмом и дунейпсо махуэщ 1918 гъэм Даутокъуэ-Серебряков и дзэм Налшык къищтащ. 1920 гъэм Кембридж университетым (Инджылыз) япэу цIыхубзхэр щIигъэтIысхьэу щIидзащ. 1959 гъэм «Луна-3» совет станцым Мазэм дымылъагъу и адрей лъэныкъуэм сурэт трихащ. 1953 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, дипломат, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Жамборэ Владимир. Жэпуэгъуэм и 8 1860 гъэм Бахъсэн цIыхубэ судыр къызэрагъэпэщауэ щытащ. 1928 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, УФ-м, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ ЗекIуэхъу Увжыкъуэ. Жэпуэгъуэм и 9 Пощтым и дунейпсо махуэщ Жэпуэгъуэм и 10 Психикэ узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ 1928 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБАССР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Улыдж Устэр-хъан. Жэпуэгъуэм и 11 1941 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ республикэм и усакIуэхэм я усэхэр зэрыт «Iэщэр къафщтэ!» тхылъыр. Жэпуэгъуэм и 12 1897 гъэм Урысейм щыяпэу футбол зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. 1957 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэIуахащ. Абы и япэ ректору ягъэуват Бэрбэч ХьэтIутIэ. Иджы абы и цIэр КъБКъУ-м зэрехьэ. Жэпуэгъуэм и 13 Мэкъумэш хозяйствэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ 1792 гъэм Унэ Хужьыр (США) ухуэн щIадзащ. 1884 гъэм Гринвичыр Меридианым техуэу ягъэуващ. 1904 гъэм Тэрч-Псыжь полкым хыхьэ адыгэ сотням хэтхэм зыкъаIэтащ. 1941 гъэм инджылыз авиацэм Нюрнберг бомбэхэр щридзыхащ. Жэпуэгъуэм и 14 Стандартизацэм и дунейпсо махуэщ 1948 гъэм къалъхуащ режиссер, КъБР-м гъуаз- джэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Темрокъуэ Риммэ. Жэпуэгъуэм и 15 Къуажэ цIыхубзхэм я дунейпсо махуэщ 1990 гъэм Горбачев Михаил Нобель и саугъэтыр къыхуагъэфэщащ. Жэпуэгъуэм и 16 Ерыскъым и дунейпсо махуэщ 1991 гъэм Налшык щызэхэтащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я нэхъыжьыфIхэм я съезд. Жэпуэгъуэм и 17 Къулейсызыгъэм ебэныным и дунейпсо махуэщ 1943 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор Тохъутэмыщ Хъызыр. Жэпуэгъуэм и 18 1967 гъэм «Венера» совет хьэрш аппаратыр Венерэ планетэм тетIысхьащ. 1968 гъэм къалъхуащ журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарь Гъурыжь Мадинэ. Жэпуэгъуэм и 19 1097 гъэм Мономах Владимир Урысейр пщыгъуэкIэрэ гуэшыныр къигупсысащ. 1812 гъэм Бонапарт Наполеон, и дзэр ихъумэн мурадкIэ, Москва къигъэнащ. 1985 гъэм Мэлбахъуэ Тимборэ и къулыкъум текIащ. 1958 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шыгъунэ Владимир. Жэпуэгъуэм и 20 Дзэ связистым и махуэщ Гъуэгум елэжьхэм я махуэщ Ерыскъы промышленностым и лэжьакIуэхэм я махуэщ 2000 гъэм Шэджэм къалэ хъуащ. 1938 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къущхьэ Хъусен. 1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Хьэжы Руслан. Жэпуэгъуэм и 21 1520 гъэм Магеллан Фернан хы Хуэмымрэ Атлантикэ хымрэ я псыдэжыпIэр къихутащ, абы езым и цIэри фIащыжащ. 1958 гъэм Инджылызым и Парламентым и лорд палатэм япэу цIыхубз хахащ. 1833 гъэм къалъхуащ химик, япэу динамитыр къэзыгупсыса, Нобель саугъэтыр зыгъэува Нобель Альфред. 1963 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр КIуэкIуэ Аслъэн. Жэпуэгъуэм и 22 1612 гъэм Минин, Пожарский, Черкасский Къанщауэ (Дмитрий) сымэ зи пашэ урысыдзэм полякхэр Москва дахужащ. 1721 гъэм Урысей сенатым пащтыхьыцIэр игъэкIуэдыжри, Петр I Урысейм и император ищIащ. 1933 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМА-м и профессор, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэлджыр Мушэхьид. Жэпуэгъуэм и 23 1914 гъэм Япэ дунейпсо зауэм инджылызхэм къыщагъэсэбэпат зи калибрыр мм 457-рэ хъу топ. 1995 гъэм инджылыз дохутыр Уэстеби Стивен цIыхугум и пIэкIэ токкIэ лажьэ гу япэу ирилъхьат. Жэпуэгъуэм и 24 Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я зэгухьэныгъэм (ООН) и махуэщ 1945 гъэм ООН-м и Уставыр къащтащ. 1893 гъэм къалъхуащ 1921 — 1938 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и УнафэщIу щыта, къэрал лэжьакIуэ, политик цIэрыIуэ Къалмыкъ БетIал. Жэпуэгъуэм и 25 Урысей Федерацэм и таможенникым и махуэщ ЦIыхубзхэр мамырыгъэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ 1653 гъэм Урысейм таможеннэ IэнатIэ къыщызэрагъэпэщащ, абы и устави къыщащтащ. 1928 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Мырзэкъан Суфян. Жэпуэгъуэм и 27 Автомобилистым и махуэщ 1895 гъэм Транссыбыр гъущI гъуэгум и япэ Iыхьэр ухуэн яухащ. Жэпуэгъуэм и 28 1944 гъэм Дзэ Плъыжьым Украинэр хуит къищIыжащ. Жэпуэгъуэм и 29 1696 гъэм Петр I и жэрдэмкIэ Урысей Флотыр къызэрагъэпэщащ. 1943 гъэм Налшык ФЗО школ къыщызэIуахащ. 1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Балъкъэр Тамарэ. Жэпуэгъуэм и 30 Политикэ IуэхукIэ зэхэзехуэн зэращIам и зэранкIэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ Инженер-механикым и махуэщ 1653 гъэм Урысейм унафэ къыщыдэкIащ дыгъуэгъуакIуэхэмрэ хъунщIакIуэхэмрэ ямыукIыу, япэ щIыкIэ чнутIкIэ яубэрэжьыну, итIанэ и Iэпхъуамбэр паупщIу Сыбыр ягъэкIуэну. 1711 гъэм къэбэрдей зауэлIхэм Мурад-СулътIан зи пашэ тыркудзэр хагъэщIащ. Жэпуэгъуэм и 31 1888 гъэм лъакъуэрыгъажэ хьэфэ шэрхъыр къагупсысащ. 1984 гъэм Индием и премьер-министр Ганди Индирэ яукIащ. ЩэкIуэгъуэм и 1 1922 гъэм Налшык парт школ къыщызэIуахащ. 1936 гъэм Налшык Урыс драмэ театр къыщызэIуахащ. 1938 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, щIэныгъэлI, УФ-м щIыхь зиIэ и экономист ГубэщIыкI Владимир. ЩэкIуэгъуэм и 2 1942 гъэм Къэбэрдей бгылъагэ заповедникыр къызэрагъэпэщащ. ЩэкIуэгъуэм и 3 1562 гъэм Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ и щIалэ Думэныкъуэ и гъусэу Астрахань хъаным и деж кIуащ. 1907 гъэм Франджым дунейм щыяпэу вертолёт щагъэлъэтащ. 1931 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым ВЦИК-м и ЩIыхь тхылъ къратащ. ЩэкIуэгъуэм и 4 ЦIыхубэр зыуэ щытыным и махуэщ 1742 гъэм Черкасский Алексей (адыгэпщщ) дунейм ехыжащ. 1890 гъэм дунейм щыяпэу Лондон метро къыщызэIуахащ. ЩэкIуэгъуэм и 5 Дзэ разведчикым и махуэщ 1922 гъэм Налшык щызэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэм я япэ съезд. 1929 гъэм Москва СССР-м щыяпэу планетарий къыщызэIуахащ. 1941 гъэм ВКП(б)-м и обкомым унафэ къищтащ республикэм зыхъумэжыныгъэмкIэ быдапIэхэр щыухуэным теухуауэ. 1967 гъэм Москва щатащ «Останкино» телецентрыр. 1958 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэрэшей-Шэрджэс иститутым и унафэщI, ЩIДАА-м и академик, КъШР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Иуан Зэуал. ЩэкIуэгъуэм и 6 1731 гъэм Урысейм и Министрхэм я Кабинет къызэрагъэпэщащ, абы хагъэхьат Черкасский Алексей (адыгэщ). 1953 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Быж Зарэ. ЩэкIуэгъуэм и 7 Октябрь революцэм и махуэщ (1917). 1928 гъэм Акъбащ ГЭС-р ятащ (КъБР). 1941 гъэм Москва Ут Плъыжьым Дзэ Плъыжьым и парад щекIуэкIащ. Полкхэр абы икIри занщIэу зауэм Iухьащ. 1938 гъэм къалъхуащ усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Джэдгъэф Борис. ЩэкIуэгъуэм и 8 ФIагъым и дунейпсо махуэщ 1917 гъэм Советхэм я Урысейпсо съезд зэхэтащ. Абы къыщащтащ мамырыгъэм, щIым ятеухуа декретхэр, къыщызэрагъэпэщащ ЦIыхубэ Комиссархэм я Совет, Ленин Владимир и пашэу. ЩэкIуэгъуэм и 9 Фашизмэм, расизмэм, антисемитизмэм ебэныным и дунейпсо махуэщ 1900 гъэм Урысеидзэм Маньчжуриер къищтащ. 1911 гъэм япэ парашютыр ягъэунэхуащ. 1918 гъэм Къатхъэн Назир пащтыхь генерал Мистулов и дзэр зэтрикъутащ. ЩэкIуэгъуэм и 10 ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэщ МВД-м и лэжьакIуэм и махуэщ Бухгалтерием и дунейпсо махуэщ 1741 гъэм Черкасский Алексей (адыгэщ) Урысейм и канцлеру ягъэуващ. 1982 гъэм Брежнев Леонид дунейм ехыжащ. 1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шыбзыхъуэ Мухьэдин. ЩэкIуэгъуэм и 11 1905 гъэм — Севастополь и хыдзэлIхэм, портымрэ тенджыз заводымрэ я рабочэхэм зыкъаIэтат. 1958 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къамбэчокъуэ Iэдэм. ЩэкIуэгъуэм и 12 Урысейм и Сбербанкым и лэжьакIуэхэм я махуэщ ЩэкIуэгъуэм и 13 Нэфхэм я дунейпсо махуэщ 1851 гъэм Москварэ Санкт-Петербургрэ зэпызыщIэ Николаевскэ (иджы Октябрьскэ) гъущI гъуэгур ятащ. ЩэкIуэгъуэм и 14 Фошыгъу диабетым ебэныным и дунейпсо махуэщ Социологым и махуэщ 1666 гъэм япэу лъы хакIауэ щытащ. Ар зы хьэм къыхашри, нэгъуэщI хьэм хакIат. 1851 гъэм Санкт-Петербург — Москва гъущI гъуэгум цIыху къезышэкI мафIэгу япэу ирикIуащ. 1956 гъэм КПСС-м и обкомым щытепсэлъыхьащ Къэбэрдейр Урысейм езым фIэфIу зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум зэрызыхуагъэхьэзырым. Доклад зыщIар обкомым и секретарь Бэрбэч ХьэтIутIэщ. ЩэкIуэгъуэм и 15 Дзэм къулыкъу щищIэну ираджэм и махуэщ 1764 гъэм Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академиер къызэрагъэпэщащ. 1934 гъэм СССР-м япэу макъ зыщIэт теленэтынхэр щекIуэкIащ. 1973 гъэм къалъхуащ АР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Къудей ФатIимэ. ЩэкIуэгъуэм и 16 1942 гъэм «За Советскую Кабардино-Балкарию!» листовкэр къыдагъэкIыу щIадзащ. 1943 гъэм Яхэгуауэ Михаил Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. 1943 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щокъарэ Хьэсэнбий. ЩэкIуэгъуэм и 17 Студентхэм я дунейпсо махуэщ 1869 гъэм Суэц кIэнауэр (Египет) къызэIуахащ. 1920 гъэм Бгырыс АССР-р къызэрагъэпэщащ. 1933 гъэм СССР-мрэ США-мрэ дипломат зэпыщIэныгъэ яIэ хъуащ. 1970 гъэм «Луна-17» автомат станцым Мазэм тригъэуващ «Луноход-1» езырызекIуэ аппаратыр. ЩэкIуэгъуэм и 18 1866 гъэм Къэбэрдейм мэкъумэшыщIэхэр пщылIыпIэм щрагъэкIащ. 1928 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тыгъуэн Рашад. 1943 гъэм къалъхуащ композитор, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, УФ-м, КъБР-м, АР-м, Кубаным гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Нэхей Аслъэн. 1958 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэр хъумапIэ банкым и тхьэмадэ, УФ-м щIыхь зиIэ и экономист Урысбий Хьэмидбий. ЩэкIуэгъуэм и 19 Урысей Федерацэм и ракетэдзэхэмрэ артиллериемрэ я махуэщ 1941 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым Къэбэрдей-Балъкъэр шууей дивизэр къызэгъэпэщыным теухуауэ унафэ къищтащ. ЩэкIуэгъуэм и 20 Сабийм и дунейпсо махуэщ 1480 гъэм Урысейм тэтэр-монгол тепщэныгъэр щиухащ. 1999 гъэм «КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист» цIэ лъапIэр ягъэуващ. ЩэкIуэгъуэм и 21 Хъуэхъум и дунейпсо махуэщ Телевиденэм и дунейпсо махуэщ УФ-м и налог органхэм я лэжьакIуэхэм я дунейпсо махуэщ Бухгалтерым и махуэщ ЩэкIуэгъуэм и 22 1941 гъэм Ладогэ гуэлым пхыкI мыл гъуэгур («ГъащIэм и гъуэгу» зыфIащауэ щытар) къызэIуахащ. 1943 гъэм къалъхуащ КъБР-ми АР-ми щIыхь зиIэ я артист Иуан Владимир. 1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Ало Арсен. ЩэкIуэгъуэм и 23 1965 гъэм СССР-м и Кинематографистхэм я союз къызэрагъэпэщащ. ЩэкIуэгъуэм и 24 Анэм и махуэщ ЩэкIуэгъуэм и 25 1339 гъэм Москва Кремлым и блынхэр щIын щIадзащ. 1741 гъэм Черкасский Алексей (адыгэщ) и пщэ иралъхьат Петр ипхъу Елизаветэ императрицэ къулыкъум зэрыпэрыувэну манифестымрэ абы ищIыну тхьэрыIуэмрэ зэхилъхьэну. 1933 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ, АР-м щIыхь зиIэ и журналист Лъыцэр Хьэжрэтбий. 1973 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор ХъуакIуэ ФатIимэт. ЩэкIуэгъуэм и 26 Информацэм и дунейпсо махуэщ ЩэкIуэгъуэм и 27 Уасэ зыгъэувым и махуэщ ЩэкIуэгъуэм и 28 1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр партизан отрядыр Жэмтхьэлэ Ипщэ щыIэ нэмыцэ гарнизоным теуащ, хэщIыныгъэшхуи иритащ. 1943 гъэм Сталин, Рузвельт, Черчилль сымэ зыхэт Тегеран конференцым и лэжьыгъэм щIидзащ, щиухар дыгъэгъазэм и 1-рщ. 1963 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэ Болэт Арсен. ЩэкIуэгъуэм и 29 1917 гъэм ЦIагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ «Адыгэ макъ» газетым и япэ номерыр къыдагъэкIащ. 1941 гъэм Петрищевэ къуажэм (Москва область) нэмыцэ фашистхэм партизанкэ Космодемьянская Зое (Таня) щхьэпылъэ щащIащ. 1953 гъэм къалъхуащ генерал-лейтенант, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор Хьэмхъуокъуэ Руслан. ЩэкIуэгъуэм и 30 1571 гъэм Къэбэрдейм и пщы уэлий Идар Темрыкъуэ дунейм ехыжащ. 1968 гъэм Гагарин Ю. А. и Дыщэ медаль ягъэу- ващ. Дыгъэгъазэм и 1 СПИД-м ебэныным и дунейпсо махуэщ 1917 гъэм Тэрч-Дагъыстэн правительствэ къызэрагъэпэщат. 1945 гъэм ЦIыхубзхэм я дунейпсо демократ федерацэр (МДФЖ) къызэрагъэпэщащ. 1938 гъэм къалъхуащ композитор, АР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сихъу Рэмэзан. 1933 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор КIэш Антонинэ. Дыгъэгъазэм и 2 ЦIыхур гъэпщылIыныр гъэкIуэдыным хущIэкъуным и дунейпсо махуэщ Банк лэжьакIуэм и махуэщ 1870 гъэм Рим Италием и щыхьэр хъуащ. 1913 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Гъуэщокъуэ Хъусин. Дыгъэгъазэм и 3 Юристым и махуэщ Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэщ 1621 гъэм Галилей Галилео узэплъыр хуэдэ 32-кIэ нэхъ ину уэзыгъэлъагъу телескоп ищIащ икIи абыкIэ къихутащ Мазэм щыIэ бгыхэр, Юпитер и спутникхэр, Дыгъэм иIэ бжьыгъэхэр. 1835 гъэм Андерсен Ганс и таурыхъхэр зэрыт и япэ тхылъыр дунейм къытехьащ. 1958 гъэм къалъхуащ тележурналист, Дунейпсо арткомитетым и саугъэтым и лауреат Токъмакъ Светланэ. Дыгъэгъазэм и 5 1936 гъэм СССР-м и Конституцэр къащтащ. КъБАО-р КъБАССР хъуащ. 1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и партизанхэр Лэскэн I щыIэ нэмыцэ быдапIэм теуащ, хэщIыныгъэшхуи иратащ. 1938 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик икIи и президент, РАЕН-м и академик Нэхущ Iэдэм. Дыгъэгъазэм и 6 1944 гъэм ВКП(б)-м и обкомым и пленум зэхэтащ. Абы обкомым и япэ секретарыр щызэрахъуэкIащ. 1933 гъэм къалъхуащ балъкъэр щIэныгъэлI, философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, МТА-м, ЩIДАА-м я академик, КъБР-мрэ Къалмыкъымрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Эфендиев Сэлихь. Дыгъэгъазэм и 7 Граждан авиацэм и дунейпсо махуэщ Армением щIыр щыщыхъеям хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ (1988) 1725 гъэм Петербург щызэхэтащ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и Академием и япэ зэхыхьэр. Дыгъэгъазэм и 8 1991 гъэм Къэрал Щхьэхуитхэм я Зэгухьэныгъэр (СНГ) къызэзыгъэпэща Беловежскэ зэгурыIуэныгъэм Iэ традзащ. Абы СССР къэралыгъуэр щымыIэж ищIащ. Дыгъэгъазэм и 9 Iулъхьэ тын-къеIыхыным ебэныным и дунейпсо махуэщ 1769 гъэм Урысейм и зауэ дамыгъэ лъапIэ нэхъыщхьэр — Георгий щихъым и орденыр — къащтащ. Дыгъэгъазэм и 10 ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ Нобель и махуэщ (Нобель и саугъэтхэр щат махуэщ) 1938 гъэм къалъхуащ СССР-м и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтым тIэунейрэ и лауреат, дирижер цIэрыIуэ Темыркъан Юрий. 1938 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Былымгъуэт Борис. Дыгъэгъазэм и 11 1815 гъэм Петербург щыIэ Берже заводым япэ урыс кхъухьыр щащIащ. 1946 гъэм ООН-м Сабийхэм защIэгъэкъуэнымкIэ фонд къызэригъэпэщащ. 1956 гъэм Мэлбахъуэ Тимборэ КПСС-м и обкомым и япэ секретару хахащ. Дыгъэгъазэм и 12 Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэщ 1993 гъэм КъБР-м палатитI хъу и Парламентыр хахащ. 1928 гъэм къалъхуащ Къыргъызым и цIыхубэ тхакIуэ, Ленин саугъэтым и лауреат, СССР-м и Къэрал саугъэтым щэнейрэ и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Айтматов Чингиз. 1938 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Алэкъей Лерэ. 1948 гъэм къалъхуащ актер, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Балъкъыз Валерий. Дыгъэгъазэм и 13 1949 гъэм Налшык щекIуэкIащ КъАССР-м и цIыхубз ныбжьыщIэхэм я II республикэ съезд. 1991 гъэм Налшык щекIуэкIащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм я съезд. Дыгъэгъазэм и 14 Академик Сахаров А. Д. и фэеплъ махуэщ 1695 гъэм, пащтыхь Петр Езанэм къыхилъхьэри, адыгэпщ Черкасский Алий (Михаил) Алигъуокъуэ и къуэр Урысейм и генералиссимусу хахат. 1911 гъэм Норвегием и къэхутакIуэ Амундсен Руаль япэу Ипщэ полюсым нэсащ. Дыгъэгъазэм и 15 1699 гъэм Петр Езанэм и унафэкIэ, Урысейр Юлиан махуэгъэпсым хуэкIуащ. 1700 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэсыщIэр къыщрагъэхьэр щIышылэм (январым) и 1-рщ, зэрыщыта фокIадэм (сентябрым) и 1-м и пIэкIэ. 1905 гъэм Москва Пушкин и унэр — дунейпсо литературэм и институтыр — къыщызэIуахащ. 1928 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Дзу Iэбубэчыр. Дыгъэгъазэм и 16 1931 гъэм Москва «Ромэн» цыджан театрыр къыщызэIуахащ. Дыгъэгъазэм и 17 Стратегие мыхьэнэ зиIэ ракетэдзэхэм я махуэщ 1959 гъэм Стратегие мыхьэнэ зиIэ ракетэдзэхэр къызэрагъэпэщащ. Дыгъэгъазэм и 18 Iэпхъуэшапхъуэм и дунейпсо махуэщ Дыгъэгъазэм и 19 1866 гъэм Урысейм и Телеграф агентствэр къызэрагъэпэщащ. 1925 гъэм ТАСС-р (Совет Союзым и Телеграф Агентствэр) къызэрагъэпэщащ. Дыгъэгъазэм и 20 Къэралым и шынагъуэншагъэм и органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ 1917 гъэм ВЧК-р (Урысейпсо чрезвычайнэ комиссэр) къызэрагъэпэщащ. Абы и унафэщIу ягъэуват Дзержинский Феликс. Дыгъэгъазэм и 21 1237 гъэм хъан Батий и дзэм Рязань игъэсащ. 1944 гъэм ВКП(б)-м и обкомым унафэ къищтащ Дзэлыкъуэ, Куба, Налшык, Шэджэм, Прималкэ, Урожайнэ, Лэскэн районхэм газет къыщыдэгъэкIыным теухуауэ. Дыгъэгъазэм и 22 Энергетикым и махуэщ 1790 гъэм Суворов Александр зи пашэ урысыдзэм Измаил тырку быдапIэр къищтащ. 1920 гъэм Урысейр электрификацэ щIыным теухуа къэрал план (ГОЭЛРО) зэхалъхьащ. 2001 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэ (ГКЗ) Дыгъэгъазэм и 23 1905 гъэм Тэрч областым зауэ щытыкIэ щагъэувауэ щытащ. 1947 гъэм япэ транзисторыр ящIащ. Дыгъэгъазэм и 24 ФАПСИ-м и махуэщ 1979 гъэм советыдзэхэр Афганистаным ихьащ. 1991 гъэм Правительствэ связымрэ информацэмкIэ Федеральнэ агентствэр (ФАПСИ) къызэрагъэпэщащ. Дыгъэгъазэм и 25 Хьисэ бегъымбарыр (католикхэм я махуэгъэпсым тету) къалъхуащ 1942 гъэм 37-нэ армэм и дзэхэр фашистхэр зыдэс Налшык къебгъэрыкIуэу хуежьащ. 1923 гъэм къалъхуащ композитор, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Балэ Мухьэдин. 1933 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист Щхьэумэжь БетIал. Дыгъэгъазэм и 26 1991 гъэм СССР-р зэрыщымыIэжымкIэ Декларацэр къащтащ. Дыгъэгъазэм и 27 КъегъэлакIуэм и махуэщ 1932 гъэм СССР-м паспорт системэ щагъэуващ. 1945 гъэм Дунейпсо валютэ фондымрэ (МВФ) КъэщIэрэщIэжыныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ я дунейпсо банкымрэ (МБРР) къызэрагъэпэщащ. Дыгъэгъазэм и 28 Кином и дунейпсо махуэщ 1905 гъэм Налшык зыкъыщызыIэтахэр хагъэщIащ. 1968 гъэм Мейкъуапэ иIэ Зэныбжьэгъугъэм и утым «ИгъащIэкIэ Урысейм дыщIыгъуу» фэеплъыр къыщызэIуахащ. Дыгъэгъазэм и 29 Биологие зэмылIэужьыгъуэм и дунейпсо махуэщ 1699 гъэм Петр Езанэм унафэ къыдигъэкIащ, Европэм щыIэ къэралхэм хуэдэу, Урысейми Хьисэ бегъымбарыр къыщалъхуам гъэхэр къыдабжыну. Дыгъэгъазэм и 30 1922 гъэм Советхэм я I Союзпсо съездым къыщызэрагъэпэщащ Совет Социалист Республикэхэм я Союзыр — СССР-р. 1972 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ орденыр къыхуагъэфэщащ. 1958 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент Тембот ФатIимэт. Дыгъэгъазэм и 31 1898 гъэм Москварэ Петербургрэ япэу телефонкIэ зэпащIащ. 1938 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, уэрэджыIакIуэ, дин лэжьакIуэ Жылокъуэ Мухьэмэдин.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24889.txt" }
Иджы зэрытегъэкIуакъым Тыркум зыщызыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» бэрэжьей кIуам зи чэзу зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр Антальем щригъэкIуэкIащ. Иджы налшыкдэсхэм хьэрхуэрэгъу къахуэхъуат Украинэм и чемпионатым ехъулIэныгъэхэр иIэу щыджэгу Полтавэ и «Ворскла»-р. ЗэIущIэм шэджагъуэм щIидзащ, иужькIэ а махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэм «Спартак-Налшыкыр» Къэзахъстаным и «Астана»-м зэрыхуэзэн хуейм къыхэкIыу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболистхэр хуэфэщэну украинхэм япэщIэтащ. Абыхэм я дэтхэнэ ебгъэрыкIуэныгъэми ди щIалэхэм хуэфэщэн жэуап иратыжырт. Апхуэдэу щыт пэтми, лъэныкъуитIри нэхъыбэу зэлIэлIар я гъуэр зэрагъэбыдэнырщ. ИкIи абыхэм ар къайхъулIащ — «Спартак-Налшыкми» «Ворскла»-ми бжыгъэр къахузэIухакъым икIи джэгур 0:0-у иухащ. Налшыкдэсхэм яхэту мы зэIущIэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Коченковым (Аршиевым ихъуэжащ), Багаевым, Овсиенкэ, Тимошиным, Засеевым, Буйтрагэ (Гъурфым), Аверьяновым, Галиным, Зиновичым (Чеботару), Руа, Касьян сымэ. Зэрынэрылъагъущи, ди тренерхэр нэхъыбэу зыкIэлъыплъар зыхагъэхьэну кърагъэблэгъахэрщ. Абыхэм ящыщу Аршиев Сослъэнбэч Владикавказ и «Алания»-м и щIалэгъуалэ гупым и гъуащхьэтетщ, гъуащхьэхъумэхэу Галин Дмитрийрэ Тимошин Никитэрэ Братск и «Сибиряк»-мрэ Курск и «Авангард»-мрэ щыщщ, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Аверьянов Алексейрэ Зинович Дмитрийрэ Санкт-Петербург и «Петротрест»-мрэ Мэзкуу и «Локомотив-2»-мрэ къикIащ. Нэгъабэ и дыгъэгъазэ мазэм щыщIэдзауэ абыхэм ди командэм хэту загъасэ. Пщыхьэщхьэм екIуэкIын хуея зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр щыIакъым, ар ягъэIэпхъуэну «Астана»-м и унафэщIхэр зэрылъэIуам къыхэкIыу. Нэхъапэм зэраубзыхуамкIэ, иджы «Спартак-Налшыкыр» мазаем и 1-м Луганск и «Заря»-м дэджэгуащ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24892.txt" }
Япэ лигэм и кубокым Кипрым щыщIэбэнынущ Мазаем и 9-м щыщIэдзауэ Кипрым щекIуэкIынущ Футбол Лъэпкъ Лигэм (ФНЛ) и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэ. Япэ дивизионым и командэ нэхъыфIхэм ящыщу абы хэтынущ ди «Спартак-Налшыкри». ФНЛ-м и кубокым теухуа зэпеуэр илъэс етIуанэ хъуауэ йокIуэкI. Абы ирагъэблагъэр япэ дивизионым щызэхэт зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэм и командэ нэхъыфIи 8-рщ. ЗэрыфщIэжщи, нэгъабэ еплIанэ увыпIэр иIыгъыу «Спартак-Налшыкым» зэпеуэм и Iыхьэ ныкъуэр иухащ. Иджыблагъэ Мэзкуу щекIуэкIа пхъэидзэм командэхэр гупитIу игуэшащ. Ди щIалэхэр япэу, мазаем и 10-м, IущIэнущ нэгъабэ ФНЛ-м и кубокыр къэзыхьа Екатеринбург и «Урал»-м. Махуищ дэкIынурэ, налшыкдэсхэм хьэрхуэрэгъу яхуэхъунущ Волгоград и «Ротор»-р. Мазаем и 16-м «Спартак-Налшыкыр» ещанэу дэджэгунущ Новосибирск и «Сибирь»-м. Адрей гупым щызэпеуэнущ Томск и «Томь»-р, Калининград и «Балтика»-р, Нижнекамск и «Нефтехимик»-р, Хабаровск и «СКА-Энергия»-р. Зыхэт гупым бжьыпэр щызубыдхэр кубокым и финалым щызэдэджэгунущ. ЕтIуанэ хъуахэр ещанэ увыпIэм щIэбэнынущ. Зэхьэзэхуэм щытекIуэм саугъэту сом мелуанрэ мин 200-рэ хуагъэуващ. Абы финалым щыхигъащIэм сом мин 800 лъысынущ. Ещанэ увыпIэр къэзыхьым сом мелуан ныкъуэ и Iэрылъхьэщ. ИджыпстукIэ «Спартак-Налшыкым» Тыркум зыщегъасэ. Абы мазаем и пэщIэдзэхэм къикIыжынурэ, щIалэхэм тхьэмахуэкIэ зрагъэгъэпсэхуа иужькIэ, Кипрым кIуэнущ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24894.txt" }
Гуащэхэм я дуней телъыджэ СурэтыщI Хъуран Жаннэ и насыпщ — ар иджыри гуащэ хьэпшып мэджэгу, усэ етх. И Iэпэм дыщэ къыпощ зыхужаIэ IэпщIэлъапщIэм хуэдэщ Жаннэ. Гуащэхэм щыдахьэхар Налшык къалэ и курыт еджапIэ №5-м щыщIэса зэманырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и телевиденэм щылэжьа Павлович Ларисэщ ар зи фIыщIэр. Абы и «IэпщIэлъапщIэ» нэтыным, республикэм ис ныбжьыщIэ куэдым хуэдэу, Жанни еплъырт, щыщIидзэну дакъикъэр къыхуэмыгъэсу пэплъэу, зыри димыгъэхуу. Ларисэ цIыкIухэр хуигъасэрт сурэт щIыным, хэдыкIым, дэрбзэр IэщIагъэм, нэгъуэщI IэпщIэлъапщIагъэхэм. А Iуэхугъуэхэм апхуэдизкIэ Жаннэ зыIэпашати, Ларисэ зригъэцIыхуащ. 70-80 гъэхэм Ларисэрэ Жаннэрэ зэгъусэу а нэтыныр ирагъэкIуэкIыу щытащ. И гъэсакIуэм теухуауэ псэм ехуэбылIэ гукъэкIыж IэфIхэр Жаннэ ноби щыгъупщакъым. — Ларисэ и нэтыным еплъ ныбжьыщIэхэр хэдыкIым, сурэт щIыным е нэгъуэщI зыгуэрым димыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ сабийхэм ди псэм къыщигъэушат. Быдэу си фIэщ мэхъу а нэтыныр куэдым сэбэп зэрахуэхъуар, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэу республикэм исхэм Ларисэ и дерсхэр зыкъомкIэ зэращхьэпар, — жеIэ Жаннэ. Хъураныр курыт школ нэужьым, куэдрэ мыгупсысэу, щIэтIысхьащ Гуащэ дизайнхэмкIэ Москва щыIэ еджапIэм. Япэ дыдэу ищIа гуащэр марионеткэхэм (Гуащэ, Сабий театрхэм кIапсэкIэ щызэрагъакIуэ лIэужьыгъуэ) хуэдэщ. Абы иIэщ Гуащэ театрхэм къыщагъэсэбэпу зыбжанэ, сабийхэм унэм щахуигъэув спектаклхэм папщIэ. Апхуэдэ гуащэхэм цIыкIухэм я гупсысэм зрегъэужь. Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я мызакъуэу, нэхъыжьыIуэхэм щхьэкIи Жаннэ гуащэ ещI. Къыхуахь сурэтхэм къытрищIыкIахэр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. ЖыпIэнуракъэ, зи теплъэ ищIым къыпичам хуэдэу, ахэр Жаннэ къохъулIэ. Зи махуэшхуэ зыгъэлъапIэхэм саугъэту хуахь апхуэдэхэр нэхъыбэм. Ауэ а гуащэ лIэужьыгъуэр ищIыным зэману мазэ зытIущ токIуадэ. Сабийхэр зэрыджэгу хьэпшып къудей мыхъуу, абыхэм псэм зрагъэузэщI, дэрэжэгъуэ къуат, дунейр ягъэдахэ. Зэ еплъыгъуэкIэ тыншу къыпщыхъу а лэжьыгъэр къохъулIэн папщIэ скульптору, сурэтыщIу, дэрбзэру ущытын, литературэм, тхыдэм фIыуэ хэпщIыкIын хуейщ. Абы и щхьэусыгъуэр гъуазджэм куэд зэрыщызэхэухуэнарщ. Аращ Жаннэ и IэпщIэлъапщIагъэм, хэлъ Iэзагъэм щIэмычэу щIыхигъахъуэр. Абы и гупсысэм къигъэщI дахагъэм гъунэ иIэкъым. И гуащэхэр къыхещIыкI пхъэм, тхылъымпIэм, Iуданэм, гъущIым, «FIMO» нэмыцэ IуэхущIапIэм къыщIигъэкI пластикым, узыншагъэм зэран хуэхъун гуэри зыхэмылъ щэкI къабзэ лIэужьыгъуэм, нэгъуэщIхэми. Дэрэжэгъуэ къыпхэзылъхьэ, щIыуэпсым и къулеягъыр къызыхэщ и сурэтхэмрэ гуащэ екIухэмкIэ гъэдэха и унэ пэшхэм ущIыхьа нэужь, гуащэхэм я дуней телъыджэм укъыщыхутауэ къыпщохъу. Мыпхуэдэ гуащэхэмкIэ цIыхум ухуэупсэу бгъэгуфIэ зэрыхъунур иджыри ямыщIэрэ е и мыхьэнэр къагурымыIуэрэ? Жаннэ и лэжьыгъэхэм республикэм апхуэдэу щIэупщIэ щиIэкъым. И гуащэхэр нэхъыбэу зыщэхур хамэ къэралхэм щыпсэухэрщ. Гъуазджэм и цIыхур хуэбгъадэ хъунущ зи IэдакъэщIэкIхэм еджэшхуэ щымыIэми усэн, тхэн щызымыгъэт цIыхухэм. Жаннэ и гуащэхэр ямыщэхуми, и псэм фIыуэ илъагъу лэжьыгъэр IэщIыб хуэщIынукъым. ЗэрытщIэщи, талант зыбгъэдэлъыр псэуфынукъым къигъэщI дахагъэмрэ гуапагъэмкIэ цIыхухэм ядэмыгуашэу, абыхэм лъагъуныгъэр нэхъри зыхрагъэщIэн, гъащIэр нэхъ мамыр, дунейр нэхъ щIэращIэ щащIын щхьэкIэ. Гуащэхэм къыщыдэхуэкIэ, Жаннэ сурэт ещI. Нэхъыбэу ар дэзыхьэхыр декоративно-прикладной гъуазджэрщ. ИлъэсиплI и пэкIэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым Хъураным и сурэт гъэлъэгъуэныгъэ щагъэувам цIыхушхуэ къекIуэлIащ икIи ялъэгъуар ягу дыхьащ. И гуащэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ иджы къызэригъэпэщыну и мурадщи, ди фIэщ мэхъу абыи ехъулIэныгъэ къызэрыпэкIуэнур. ЗэрыжытIащи, Жаннэ уси етх. Хэку зауэшхуэр ди къэралым и текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 65-рэ зэрырикъум теухуауэ Москва къыщыдэкIа тхылъым хагъэхьащ Жаннэ и адэшхуэм хуиусар. ГъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдэ абы и усэхэм. Тхылъ еджэнри зыхилъхьэ щыIэкъым. Художественнэ тхыгъэхэм къыхэщ лIыхъужьхэм я образхэр и нэгу къызэрыщIыхьэм хуэдэ теплъэ зиIэ гуащэхэр ещI. Тхыгъэхэм хэт лIыхъужьхэм я образыр пэжу къигъэлъэгъуэн папщIэ, лIэщIыгъуэ зэхуэмыдэхэм щыIа фэилъхьэгъуэхэм я тхыдэр едж, дэрбзэр IэщIагъэм нэхъ куууэ зыхегъэгъуазэ. Куэдрэ къыхуохуэ адыгэ фащэр, цейр, хьэзырхэр, бгырыпхыр, къамэр, макъамэ Iэмэпсымэхэр ищIыну. КъищынэмыщIауэ, Хъураныр ящыщщ архитектурэр фIыуэ зылъагъухэм. КъехъулIэмэ, гуащэхэм унэ екIухэр яхуищIыну игу илъщ. Урыс литературэм Кавказыр къызэрыхэщыр Лермонтов Михаил и поэмэхэм хэт лIыхъужьхэм я теплъэхэмкIэ къигъэлъэгъуэну и мурадщ. Иджыпсту Печориным и образым йолэжь. Совет кином и артист цIэрыIуэхэу куэдым фIыуэ ялъэгъуа Никулин Юрэ, Миронов Андрей, Леонов Евгений, Тихонов Вячеслав сымэ я сурэтхэмкIэ гуащэ ищIыну Жаннэ и хъуэпсапIэщи, ди гуапэщ къехъулIэну, и Iэзагъымрэ и зэфIэкIымрэ хигъэхъуэну. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24897.txt" }
Гуапагъэрэ хуабагъкIэ гъэнщIа таурыхъ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм гъэ къэси хуэдэу гукъинэжу щекIуэкIащ «Мир в ладошке» зэхыхьэр. СурэтыщI-модельер Сэралъп Мадинэ и жэрдэмкIэ къежьа Iуэхур дагъэкIуатэ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм и режиссер нэхъыщхьэ Гумэ Маринэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ сымэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, гуапагъэрэ хуабагъкIэ гъэнщIа мы зэхыхьэр илъэс ебланэ хъуауэ зэрырагъэкIуэкIыр. Абы кърихьэлIа цIыху 900-м щIигъум я нэгу зрагъэужьащ къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ 300-м нэблагъэм. Республикэм и модельер ныбжьыщIэхэм ягъэлъэгъуащ езыхэм къагупсыса фэилъхьэгъуэхэр. Сабий дэнэ къэна, балигъхэм дежкIи гъэщIэгъуэнт а псори. Концертым щагъэлъэпIащ «Горянка» газетым и сурэт зэпеуэм щытекIуахэр. А цIыкIухэм я нэгум къищ дэрэжэгъуэмрэ абы я адэ-анэхэм къафIекIуа гуфIэ нэпсхэмрэ щыплъагъукIэ, гурыIуэгъуэ мэхъу мыпхуэдэ Iуэхухэм мыхьэнэуэ яIэр. Мы зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм я мурадыр республикэм ис сабийхэр зы пщыхьэщхьэ нэхъ мыхъуми ягъэгушхуэн, ягъэгуфIэнырти, ар къайхъулIащ. Хьэндырабгъуэ, мэшбэв, къэрабэ, удз гъэгъа зэмыфэгъухэр зыхэт таурыхъым балигъхэри сабийхэри, пIалъэкIэ нэхъ мыхъуми, щыхьэщIащ. Зэхыхьэм гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ иIэщ: Iуэхум къыпэкIуа ахъшэмкIэ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм зэрызыщIагъэкъуэнур ящIэрт концерт программэм хэта артист ныбжьыщIэхэмрэ абы еплъа сабийхэмрэ. ЯхузэфIэкIам щыщ фигу къэдгъэкIыжынщ: илъэс 11 хъу Лу Ахьмэд нэгъабэ и узыншагъэр ахъшэ зэхэдзэкIэ зэфIагъэувэжащ, Тэрч районым хыхьэ Инарыкъуей къуажэм дэс бынунагъуэшхуэ ХьэтIэхъухэ илъэс зыбжанэ и пэкIэ я унэм хуабэ щIрагъэшащ, щхьэгъубжэхэр хухрагъэлъхьащ. Лашынкъей къуажэм щыщ Хьэмгъуэт ФатIимэ илъэсищ хъу и къуэ Айдэмыр и узыншагъэр зэтригъэувэжынымкIэ мы гъэм дэIэпыкъунущ. Бзылъхугъищым я жэрдэмкIэ екIуэкI Iуэхум республикэм исхэр зэрызэкъуигъэувэнум, сабийхэр нэхъ узыншэ, насыпыфIэ зэрищIынум шэч хэлъкъым. КIэфо Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24901.txt" }
Саугъэт щхьэхуэ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и интернет сайтым саугъэт щхьэхуэ къыщыхуагъэфэщащ «Дыщэ сайт» урысейпсо зэпеуэм. Министерствэм езым и сайт илъэсиплI хъуауэ иIэщ. Абы и фIыщIэкIэ цIыхухэм тыншу щыгъуазэ защIыф властым и гъэзэщIакIуэ органым зэфIигъэкI Iуэхутхьэбзэхэм, апхуэдэу иригъэкIуэкI лэжьыгъэм. Министерствэм и сайтым 2011 гъэми урысейпсо конкурсым еплIанэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ. Апхуэдэу Twitter интернет IэнатIэми блог щхьэхуэ къыщызэIуахащ. Япэ тхыгъэр абы министр Тюбеев Альберт 2010 гъэм иритхауэ щытащ. Апхуэдэ тхыгъэу псори зэхэту а напэкIуэцIым министерствэм ирилъхьахэр 2012 гъэм и кIэухым 1000-м щIигъуащ. КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24903.txt" }
Газетхэр ефIакIэрэ хьэмэ екIакIуэрэ? Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм кърихьэлIащ республикэм къыщыдэкI газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэр. Псалъэмакъыр теухуауэ щытащ 2012 гъэм лэжьыгъэр зэрекIуэкIам, апхуэдэу 2013 гъэм зэфIагъэкIыну я мурадхэм. ЗэIущIэм и пэщIэдзэм Къумахуэ Мухьэдин жиIащ 2012 гъэм республикэм къыщыдэкI газетхэм нэхъ зэрызаужьар. «Кабардино-Балкарская правда» газетым гулъытэ хэха хуищIащ дэтхэнэ къэхъукъащIэри икIэщIыпIэкIэ газетеджэхэм я деж зэрынигъэсыным. Бзэр хъумэным, хабзэфIхэр къыдэхыжыным, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я щэнхабзэм зегъэужьыным гулъытэшхуэ хуащI «Адыгэ псалъэ», «Заман» газетхэм. «Советская молодежь» газетым Интернетым щиIэ сайтыр къигъэщIэрэщIэжащ. «Горянка» газетым илъэс етIуанэ лъандэрэ зэкIэлъыкIуэу кърат «Прессэм и дыщэ фонд» урысейпсо дамыгъэр. Газетхэр алъандэрэ фIыцIэрэ хужьу, языныкъуэхэм деж плъыфитI хъууэ къыдэкIыу щытащ. Ауэ 2012 гъэм щIадзауэ «Горянка», «Советская молодежь» газетхэм я япэ напэкIуэцIхэр, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и щэбэт къыдэкIыгъуэхэр плъыфэ псори зиIэ сурэтхэмкIэ ягъэщIэращIэ. Апхуэдэу напэкIуэцIхэм я зэгъэкIукIэр, тхыгъэхэм я къызэкIэлъыкIуэкIэмрэ ахэр зэрытедза хьэрфхэмрэ екIуу зэхуагъакIуэ. ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ мы IэнатIэм щыIэ гугъуехьхэми. «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэрыжиIамкIэ, газетым къытехуэ критикэр гулъытэншэу къонэ икIи апхуэдэ тхыгъэхэм ятеухуауэ редакцэм властым и гъэзэщIакIуэ органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм дапщэрэ захуимыгъазэми, зыми жэуап къратыжыркъым. «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэ Болэт Арсен зэIущIэм хэтахэр щыгъуазэ ищIащ газетыр цIыхухэм я деж нэгъэсынымкIэ редакцэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм. Ар почтэм къыдэкIуэу газетхэмрэ журналхэмрэ зыщэ цIыху щхьэхуэхэми япыщIащ икIи абы и фIыщIэкIэ тиражым хэхъуэ зэпытщ. Редакторхэм къыхагъэщхьэхукIащ къэрал газетхэм я уасэр зэрымыиныр. Мыбдеж Iуэхур къызэтезыгъэувыIэр Iэ щIэдзыныр тэмэму къызэрызэрамыгъэпэщыр арагъэнущ. Абы къыхэкIыу зэIущIэм къыщыхалъхьащ итыпхъэ псори зратха бланкхэр зэрызэбграгъэхыну щIыкIэм егупсысыну. «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ жиIащ «КъБР-м и цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр» порталым щиIэ официальнэ напэкIуэцIым къыдэкIуэу редакцэм социальнэ сетым и нэгъуэщI IэнатIэхэри къызэригъэсэбэпыр. Абы апхуэдэу къигъэлъэгъуащ 2013 гъэм «Горянка» газетыр къыдэкIын зэрыщIидзэрэ илъэс 20 зэрырикъур. Къумахуэ Мухьэдин къыхигъэщхьэхукIащ «Горянка», «Советская молодежь» газетхэм я тхыгъэхэр Интернетым зэрыралъхьэ щIыкIэр тэмэму къызэрилъытэр икIи адрей газетхэр къыхуриджащ ар щапхъэу къащтэну. Министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэм апхуэдэу жиIащ министерствэм щыхъыбархэм официальнэ напэкIуэцI зыбжанэм щыгъуазэ зыщыпщI зэрыхъунур. КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24907.txt" }
Зэуэ сабий 18 ягъэлъапIэ КъБР-м и Парламентым ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетымрэ «Урысей зэкъуэт» фракцэмрэ хэтхэу Хьэщхъуэжь Татьянэ, Хъущт Аслъэнбэч, Беслъэней Аслъэн сымэ ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэм я гъусэу иджыблагъэ щыIащ Нартан къуажэ дэт школ-интернат №5-м. Закон зэхэлъхьэным елэжьхэр сабий IуэхущIапIэм еблэгъащ щIышылэ мазэм къыщалъхуа махуэр зыгъэлъэпIахэм ехъуэхъуну. Апхуэдэу яIэ сабий 18-м хуаша саугъэтхэм нэмыщI, адрей цIыкIухэм папщIи тыгъэхэр яIыгът хьэщIэхэм. «Сабийр къыщалъхуа махуэр махуэшхуэщ, абы хьэщIэ къримыхьэлIэмэ, саугъэт къыпхуамыхьмэ, гъэщIэгъуэн?! Зы мазэм къриубыдэу къалъхуахэм я махуэр щагъэлъапIэ интернатым. Абы хьэщIэ ирихьэлIэмэ, цIыкIухэм хуабжьу я гуапэ мэхъу. Дэ тлъэгъуащ а ныбжьыщIэхэм я нэгум кърих гуапагъэр икIи сыхуейт псапэ зыщIэну дэтхэнэ зыми сабий зеиншэхэр ягъэгуфIэну», — жиIащ Хьэщхъуэжь Татьянэ. Интернатым щапI сабийхэм я хьэщIэхэм папщIэ ягъэхьэзырат «Морозко» таурыхъым къытращIыкIа спектакль цIыкIу. ХьэщIэхэм гъэщIэгъэун ящыхъуащ сабийхэм я джэгукIэр. IуэхущIапIэм и унафэщI Алишанов АлисулътIан депутатхэм фIыщIэ яхуищIащ икIи хьэщIэхэр сыт щыгъуи зэрагуапэр жиIащ. Урысмамбэт Беллэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24909.txt" }
Мы махуэхэм Мазаем и 2, щэбэт 1943 гъэм Советыдзэхэм Сталинград и деж текIуэныгъэ къыщахьащ. Франджым и ЛIыхъужь Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан къызэралъхурэ илъэси 115-рэ ирокъу. КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Джаурджий Iэбисал и ныбжьыр илъэс 84-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщынущ. Махуэм хуабэр градуси 2 — 3, щIыIэр жэщым 1 — 0 щыхъунущ. Мазаем и 3, тхьэмахуэ 1924 гъэм «Къэбэрдей плъыжь» газетым и цIэр «Къэрэхьэлъкъ» жиIэу зэрахъуэкIащ. 1925 гъэм СССР-м радиом псэлъэн щыщIидзащ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 1 — 4, жэщым щIыIэр 1 — 0 щыхъунущ. Мазаем и 4, блыщхьэ 1935 гъэм Москва и метром и япэ мафIэгур ирикIуащ. 1945 гъэм Кърымым къыщызэIуахащ СССР-м, США-м, Инджылызым я лIыщхьэхэр зыхэт Ялтэ конференцыр. КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, журналист Белгъэрокъуэ Евгение и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу. ТхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэлбахъуэ Елбэрд къызэралъхурэ илъэс 74-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 4 — 12, жэщым 3 — 4 щы-хъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24913.txt" }
Есэпу хэлъым хуэдизщ пэжу хэлъри Мы гъэм илъэс 70 ирокъу ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къезыIуэнтIэкIа зэпэщIэувэныгъэр къызэрыхъурэ. Сталинград зауэм ехьэлIауэ куэд ятхащ икIи къаIуатэжащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди советыдзэм зэрихьа лIыгъэм, ди сэлэтхэм, гуп унафэщIхэм, Дзэ плъыжьым и офицерхэм Хэку зауэшхуэм къэмыланджэу, хахуагъэрэ пэжыгъэрэ къагъэлъагъуэу зэрыхэтам теухуауэ жаIэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ, жызыIэ закъуэтIакъуэми я макъыр нэхъ щэху хъу зэпытщ. Сталинград зэхэуэр бадзэуэгъуэм и 17-м щегъэжьауэ, 1943 гъэм мазаем и 2 хъуху екIуэкIащ. Абы ди сэлэту мелуанрэ мини 100-рэ нэмыцэу цIыху мелуанрэ мин 11-рэ хэтащ. Зауэм и екIуэкIыкIамрэ абы ди зауэлIхэм щызэрахьа лIыгъэмрэ теухуауэ тхылъ куэд къыдагъэкIащ, кинофильм мымащIэуи трахащ. Дуней псом дежкIэ мыхьэнэ зиIэ зауэр зэриухрэ илъэс 70 щрикъум ар ди цIыхухэм ящыгъупщэж, яIэщIэхуж хъуащ. Уеблэмэ жызыIэ щыIэщ советыдзэ унафэщIхэр, ди дзэзешэ пашэхэр ауэ жыжьэуи ялъэщIыхьэу щымытауэ нэмыцэхэм, инджылыз-американ дзэзешэхэм. Абыхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм дазэрытекIуар куэдкIэ зи фIыщIэр инджылызхэмрэ американхэмрэщ. ЦIыху Iущ гуэрым жиIауэ щытащ: «Сыт хуэдэ Iуэхуми есэпу хэлъым хуэдизщ пэжу хэлъри», — жиIэри. А псалъэхэр си тегъэщIапIэу, зы есэп фхуэсщIынущи, абы псори къигъэнэIуэну сыщогугъ. ЗэрытщIэщи, Гитлер и зауэлIхэм 1939 гъэм и гъэмахуэм щыщIэдзауэ Европэр къазэуну иужь ихьащ, ар 1941 гъэм и гъэмахуэм нэблагъэху екIуэкIащ. 1941 гъэм щыщIэдзауэ Германиер фронтитIкIэ зауэрт. Сталинград зэхэуэм и пэщIэдзэм абы Совет Союзым дивизэ 266-рэ къыпэщIигъэуващ, КъухьэпIэ фронтым — 120-рэ. Советыдзэм езауэурэ мазэ 46-м къриубыдэу Гитлер и армэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ, цIыху мелуаниблым щIигъу яукIат, КъухьэпIэ фронтым мазэ 66-м и кIуэцIкIэ мелуанищым нэблагъэ щаукIат. КъухьэпIэ фронтым щыIэхэм щыщу инджылызы-дзэмрэ абы къыгуэтхэмрэ укIыгъэу цIыху 532200 яIэт, американхэм ягъуэта хэщIыныгъэр минищэм нэблагъэрт. Гитлер и дзэхэм зэрызауэ машинэу, Iэщэу совет-нэмыцэ зэпэщIэтыныгъэм щафIэкIуэдар ЕтIуанэ дунейпсо зауэм халъхьам и процент 70 мэхъу. КъухьэпIэмрэ США-мрэ я тхыдэтххэм къинэмыщIауэ, Урысейми диIэщ Хэку зауэшхуэм къыщигъэзар Сталинград зауэр армырауэ жызыIэ. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, зэхэуэ нэхъыщхьэр Африкэм щекIуэкIаращ. 1942 гъэм бжьыхьэ мазэу генерал Роммель Тунис деж къыщригъэтIысыкIа и нэмыцэ корпусым къуэкIыпIэмкIэ иунэтIащ, Мысырымрэ Иракымрэ къазэун мурад иIэу. А «африкэ» корпусыр цIыху мин 80-кIэ, танк 540-кIэ, кхъухьлъатэ 350-кIэ зэщIэузэдат. Ливиемрэ Мысырымрэ я гъунапкъэм, Эль-Аламейн къуажэм деж, абыхэм къапе- жьащ 8-нэ инджылызыдзэр, абы цIыху мин 230-рэ хыхьэрт, ахэр зэщIэузэдат танк 1440-кIэ, кхъухьлъатэ 1900-кIэ, нэгъуэщI Iэщэ-фащэхэмкIи. Жэпуэгъуэм и 23-м щIидза зэпэщIэувэныгъэр щиухар 1942 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-ращ, абы щыхагъэщIащ «африкэ» корпусыр. Нэмыцэхэм ящыщу абы цIыху мин 55-рэ хэкIуэдащ. ТекIуэныгъэр къахьа пэтми, инджылызхэм зыщIагъэщIэгъуэн абы хэлътэкъым. Я къарухэр зэхуэмыдэу зэпэщIэувами, абыхэм хэщIыныгъэу цIыху мини 150-рэ ягъуэтащ. Советы-дзэр ебгъэрыкIуэн и пэ къихуэу, Эль-Аламейн деж щекIуэкIа зэпэщIэувэныгъэр Хэку зауэшхуэм зыкIи «жьэхэмыуа» пэтми, языныкъуэ «тхыдэтххэм» Сталинград щекIуэкIа зауэм и мыхьэнэр, абы дэ хэтщIыхьар ягъэмэщIэну хэтщ. Дэ зыщыдгъэгъупщэ мыхъунухэм ящыщщ Сталинград деж щекIуэкIа зэпэщIэувэныгъэм, абы къыщахьа текIуэныгъэм совет сэлэту, офицеру, генералу 454835-м я гъащIэр зэрыщIатар. Бийм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ: цIыху мин 800-м щIигъу хэкIуэдащ е гъэр къащIащ, танк минитI, зэрызауэ Iэщэ-фащэу, миномету минипщI, минищым нэблагъэ кхъухьлъатэ. Нэмыцэдзэм щыщу минищэм щIигъу гъэру къащтащ фельдмаршал Паулюс я нэхъыщхьэу. Абдеж щыщIэдзауэ советыдзэр къэгушхуэжри, ебгъэрыкIуэу щIидзэжащ, лъабжьэ хуэхъуари аращ ди текIуэныгъэм. 1943 гъэм мазаем и 5-м США-м и президент Рузвельт къыбгъэдэкIыу Сталин письмо къыхуэкIуащ. Абы итт: «Уи унафэм щIэту Сталинград деж Советыдзэм къыщихьа текIуэныгъэмкIэ сынывохъуэхъу! Махуэ щэрэ хыщIрэ тIукIэ екIуэкIа зауэ гуащIэм игъащIэкIэ уи щхьэр ирилъэпIэнущ, американхэми нобэ вдагъэлъапIэ махуэр лъэпкъ зэпэщIэувэныгъэм къиша зауэм и Iыхьэ нэхъыфIхэм ящыщщ…» Полищук Иван. Налшык къалэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24915.txt" }
Фи гъащIэр фи IэкIэ фымыкъутэж! Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Васильев С. В. щIалэгъуалэм зэрызахуигъазэр Къэбэрдей-Балъкъэрыр нобэ гъэунэхуныгъэ хьэлъэхэм хэтщ. Республикэм щыIэ щытыкIэр нэхъри зэкIэлъымыкIуэ зэращIыным хущIэкъу къарухэм яхузэфIэкI къагъанэркъым цIыхухэр ягъэгужьеин, къапэщыт социально-экономикэ Iуэху мытыншхэр гъэзэщIэным ахэр трагъэщхьэрыукIын папщIэ. Хабзэхъумэ органхэр зэкъуэту зэрызэдэлэжьам и фIыщIэкIэ, КъБР-м щыIэ щэхурылажьэ террорист бандэ гупхэр зэгъэуIуауэ, зэхащIыхьа щIэпхъаджагъэхэмкIэ цIэрыIуэ цIыху пыухыкIахэм я унафэм щIэту зэрыщытар зэтекъута хъуащ. Лейзехьэ нэхъ цIэрыIуэхэр, абыхэм террористхэм я идеологхэри яхэту, зэтраукIащ е къаубыдащ. Къэнар зэкъуэуда хъуа гуп щхьэхуэхэрщ. Абы къыхэкIыу экстремистхэм я къызэгъэпэщакIуэхэмрэ абыхэм ахъшэкIэ защIэзыгъакъуэхэмрэ иджыпсту нэхъыбэу зыпэщIэхуэр бандэ гупхэм цIыху нэхъыбэ къыхэшэнырщ икIи абы папщIэ псом япэ тегъэщIапIэ ящIыну я мурадыр лэжьапIэншэу, зыщыгугъышхуэни ямыIэу къуажэхэм щыпсэу щIалэхэрщ. Япэм зыгуэрхэр къэралым IэщэкIэ пэщIэувэным теухуа псалъэмакъхэмкIэ къыдахьэхыфу щытамэ, иджыпсту дэтхэнэми нэгъэсауэ къыгуроIуэ: террористхэм уахыхьэмэ, щыхупIэм утеувауэ аращ, абы щыгъуэ унагъуэр, адэ-анэр насыпыншагъэм хыбодзэ, уэри цIыху тэмэму упсэунымкIэ хэкIыпIэ къыпхуэнэжыркъым. Зэрыхабзэщи, япэ щIыкIэ хэгъэзыхьыныгъэ гуэр щымыIэ хуэдэу кърагъажьэ: зыгуэрым хъуржын иратыжыну, цIыху пыухыкIа гуэрым кIэлъыплъыну, зыгуэрым шхын къыхуащэхуну е машинэкIэ ямыцIыху гуэр здэкIуэм нагъэсыну йолъэIу, апхуэдэурэ, щIалэхэр езыхэр зытеува гъуэгур къагурыIуэжыну хунэмыс щIыкIэ, къэгъазэ ямыIэжу щIэпхъаджагъэм хаша мэхъури, жылагъуэми законми япэщIэувауэ къыщIедзыж. Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху дахэхэр, щIэныгъэшхуэ зиIэхэр щопсэу. Абыхэм ящыщ куэдым дуней псом я цIэр щагъэIуащ иджырей инновацэ технологиехэм зегъэужьынымкIэ, щIэныгъэм, щэнхабзэм, спортым щаIэ зэфIэкIхэмкIэ. Республикэм гузэвэгъуэ къыщылъыса иужьрей илъэсхэм ахэр хахуэу икIи щхьэмыгъазэу къэуващ щалъхуа щIыналъэм и хъумакIуэу икIи языныкъуэхэм хабзэр хъума хъуным я гъащIэр щIатащ. Мис ахэрщ республикэм и иджырей тхыдэм къыхэнэнур. Зыгъэжэкъуа щхьэхуещэхэм я унафэхэр ягъэзащIэурэ, дыгъуасэ къадеджахэр, я гъунэгъуу щытахэр зыхъунщIэхэм, зыукIхэм, лагъым щIалъхьэурэ къэзы-гъауэхэм я цIэр къызэрынэнур икIагъэм пыщIауэщ, зи лъэпкъым епцIыжахэм ящыщущ. Щхьэхуэу захуэзгъэзэну сыхуейт «мэзщIэсхэм» я идеологием итхьэкъуу зызыгъэпщкIуа, ауэ зэкIэ щIэпхъаджагъэ хьэлъэ зымылэжьа щIалэхэм. Фи гъащIэр фи IэкIэ фымыкъутэж, фи Iыхьлыхэмрэ фи благъэхэмрэ бэлыхьым хэвмыдзэ, фи къэкIуэнум фемылъэпауэ, фэ иджыри къэвгъэзэжыну Iэмал псори фиIэщ. Псори къыхузоджэ, щыIэ гугъуехь щхьэхуэхэм щхьэкIэ къамыгъанэу, гъуэгу тэмэм закъуэ пэжыгъэм хуэгъэзар, унагъуэхэм я фIыгъуэ, ди республикэм, ди къэрал иным я фIыгъуэ къызыдэкIуэнур къыхахыну.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24919.txt" }
Москва дызэрыпыщIам зеубгъу Москварэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я правительствэхэр зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм мыгувэу Iэ щIадзынущ. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и жэрдэмкIэ а документым и проектыр КъБР-м и Правительствэм къыщыхалъхьащ икIи иджыблагъэ екIуэкIа зэIущIэм щыхэплъэри щыдаIыгъащ. «Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Москварэ илъэс куэд лъандэрэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щызэдолажьэ. Апхуэдэ зэдэлэжьэныгъэм теухуа япэ зэгурыIуэныгъэ лъэныкъуитIми Iэ щIадзауэ щытащ 1994 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м. Абы лъандэрэ экономикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIа нэгъуэщI зэгурыIуэныгъэхэри зэращIылIащ, абыхэм ящыщу иужьрей дыдэм Iэ щIадзауэ щытащ 2006 гъэм щэкIуэгъуэм и 15-м. Абы лъандэрэ блэкIа илъэситхум къриубыдэу зэхъуэкIыныгъэ куэд къэхъуащ икIи щIыналъитIми я унафэщIхэм къызэралъытамкIэ, а зэгурыIуэныгъэм щIэрыщIэу хэплъэжын хуейщ», — къыджиIащ республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Мусуков Алий. ЗэгурыIуэныгъэщIэм къыщыгъэлъэгъуащ сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, социальнэ IэнатIэхэм зэщIыгъуу щызэфIагъэкIынухэр. Псалъэм папщIэ зэгурыIуэныгъэр зэзыщIылIэхэр зыр адрейм дэIэпыкъунущ къэрал щIыб зэпыщIэныгъэхэр зэтегъэувэнымкIэ. Апхуэдэу нэгъуэщI къэралхэм я инвесторхэри хэту ягъэзащIэ инвестицэ проектхэр зэтегъэувэнымкIэ, хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ я субъектхэм ядэлэжьэнымкIэ щIыналъитIри быдэу зэпыщIауэ щытынущ. Апхуэдэу зэдэлэжьэныгъэм и IэнатIэ псоми лэжьыгъэр къыщызэрагъэпэщ щIыкIэмкIэ зэхъуэжэнущ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24922.txt" }
Шэкмэн Михаил и гъэсэнхэм я текIуэныгъэхэр Тырныауз къалэм и «Геолог» спорткомплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 17-м щIимыгъуа щIалэщIэхэм атлетикэ хьэлъэмкIэ я республикэпсо зэпеуэ. Зэхьэзэхуэм щагъэува дыщэ медалу 8-м щыщу 4-р зыIэрагъэхьащ Нарткъалэ щыщ тренер цIэрыIуэ Шэкэм Михаил и гъэсэнхэм. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта зэпеуэм я хьэрхуэрэгъу псоми щефIэкIащ Лысенкэ Сергей (кг 50-м нэс), ГъуэгулI Алий (кг 56-м нэс), Нэзэр Владислав (кг 62-м нэс), Дзыгъуанэ Ислъам (кг 77-м нэс) сымэ. Килограмм 69-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж бжьыпэр щиубыдащ тырныауздэс Датиев Георг. Ар и гъэсэнщ Дахкильгов Ченгиз. Бахъсэн районым и цIэкIэ зэхьэзэхуэм хэта Хъупсырджэн Астемыр килограмм 85-м нэс зи хьэлъагъхэм ятекIуащ. А гуфIэгъуэр абы дегуэш и тренер Хьэмырзэ Аскэрбий. ХьэтIохъущыкъуейдэс Iэпщэ Анатолэ и гъэсэн Тембот Алим килограмм 94-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм пашэныгъэр къыщихьащ. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэм ящыщу нэхъыбэ дыдэ къэзыIэтар килограмм 94-м щIигъухэм я зэпеуэм хэта, Зеикъуэ къуажэм къикIа ХьэфIыцIэ Муратщ. ТIэу бгъэдыхьэгъуэм ар килограмм 300-м (рывокым — 130-м, толчокым — 170-м) пэлъэщащ. Мурат и гъэсэнщ тренер цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Мы зэпеуэм къарикIуахэм япкъ иткIэ, щIалитхум спортым и мастерым и кандидатым и мардэр ягъэзэщIащ, адрейхэм разряд зэмылIэужьыгъуэхэр къахьащ. Къэхъун Бэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24926.txt" }
Саугъэт къапоплъэ «Къэббалъкъэнерго» ОАО-м электрокъарур къэзыгъэсэбэп цIыхухэм папщIэ къыхелъхьэ «Ток уасэр и чэзум ети, саугъэтыр къэхьэху!» зыфIаща лотерее джэгу зэпеуэр. Абы хагъэхьэнущ къагъэсэбэпа токым хуэзэр щIышылэм и 25-м къыщыщIэдзауэ мазаем и 25 пщIондэ зыхуей IэмалкIэ (IэнатIэ кассэхэм, пощт къудамэхэм, кредит IуэхущIапIэхэм) езыта унагъуэхэр. Тираж комиссэ щхьэхуитым и нэIэ щIэту, лотерее джэгур компьютер пхъэидзэкIэ мазаем и 26-м ирагъэкIуэкIынущ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и телевиденэмкIэ къагъэлъэгъуэнущ. Налшык Щорсым и цIэкIэ щыIэ уэрамым тет 8-нэ унэм, «Къэббалъкъэнерго» ОАО-м и хэщIапIэм, мазаем и 28-м текIуахэр щагъэлъэпIэнущ. Фэ къыфпоплъэ телевизор, ноутбук, унагъуэ хьэпшыпхэр. «Къэббалъкъэнерго» ОАО-м и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24933.txt" }
Куэдрэ дигу илъынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу цIыху куэд игъэнэщхъеящ иджыблагъэ къэIуа хъыбар гуауэм. Дунейм ехыжащ адыгэ щIэныгъэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Управленэмрэ экономикэмкIэ Санкт-Петербург академием и профессор, Технологиемрэ дизайнымкIэ Санкт-Петербург къэрал университетым менеджментымкIэ и кафедрэм и доцент, бзылъхугъэ щыпкъэ ХьэщIэлI (Теувэжыкъуэ) Еленэ Мухьэмэд и пхъур. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм илъэс 30-м щIигъукIэ и гуащIэ ирихьэлIащ ХьэщIэлIым. 1973 гъэм Еленэ ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ Ленинград (иджы Санкт-Петербург) Кировым и цIэр зэрихьэу текстиль, промышленность псынщIэмкIэ дэт институтыр (ЛИТЛП). ЗэфIэкI лъагэ бгъэдэлъу зыкъэзыгъэлъэгъуа Еленэ ЛИТЛП-м къагъэнэжащ икIи абы и аспирантурэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. 1977 гъэм абы ехъулIэныгъэ иIэу пхигъэкIащ и щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэр икIи техникэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. Абы и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд, студентхэр егъэджэным къыщагъэсэбэп методикэ пособие мымащIэ. Псори зэгъусэу къапщтэмэ, ахэр 90-м нос. И псэ хьэлэл лэжьыгъэм папщIэ ХьэщIэлI Еленэ мызэ-мытIэу ягъэпэжащ УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмкIэ. Ауэ абы и дежкIэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэр щIэныгъэм и лъагъуэм тришэ и студентхэр гуапэу къызэрыхущытырт. Ди щIыналъэм икIыу Санкт-Петербург еджакIуэ кIуэ щIалэгъуалэм сыт щыгъуи сэбэп зэрахуэхъуным, чэнджэщ щхьэпэхэр зэраритыным хущIэкъурт адыгэпсэ къабзэ зыIут бзылъхугъэр. Апхуэдэ IуэхуфIу ищIа псори псапэу Тхьэм къритыж. Еленэ унагъуэ дахи иухуат. Абы лъэпкъым къыхуигъэнащ анэм и дуней тетыкIэ дахэр зи щапхъэ, гъуэгугъэлъагъуэ бын гъуэзэджэхэр. ХьэщIэлI Еленэ Мухьэмэд и пхъум и фэеплъ нэхур щахъумэнущ абы и унагъуэм, куэдрэ ящыгъупщэнукъым къыдэлэжьахэм, иригъэджахэм, зыцIыхуу щыта псоми. И ныбжьэгъухэр, и лэжьэгъухэр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "24936.txt" }