text
stringlengths
11
353k
meta
dict
АвтовокзалыщIэхэм къалэр ягъэбжьыфIэнущ Республикэм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIыу автобусхэмкIэ къакIуэхэр КъБР-м и къалащхьэм щезыгъэблагъэр Осетинскэ уэрамым, Идарым и уэрамым тет станцхэрщ. Абыхэм къалэдэсхэри щIэх-щIэхыурэ Налшык къакIуэхэри есэжащ, ауэ иджырей зэманым зэфIэгъэкIыпхъэ Iуэхутхьэбзэхэр нэгъэсауэ а IуэхущIапIэхэм къыщызэрагъэпэщыжыфыркъым. Къапщтэмэ, Осетинскэ уэрамымрэ ПащIэм и уэрамымрэ я зэхэкIыпIэм тет автовокзал №2-м махуэ къэс автотранспорту къекIуалIэр мини 2-м ноблагъэ. Абы къыхэкIыу къалэм и кум хуэзэ а щIыпIэм хуабжьу щызекIуэгъуейщ, шынагъуи пылъщ. Абы и закъуэкъым. ГъуэгурыкIуэхэм я Iуэхур тэмэму дэбгъэкIыфынукъым автовокзалым зыхуэфащэ Iуэхутхьэбзэ псори къызэримыгъэпэщыф нэужьмэ. Апхуэдэ Iэмалхэр автовокзал №2-м щыIэкъым, ар зэманым къигъэув мардэхэм къыкIэрыхуащ. КъБР-м ТранспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ, Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ я министерствэхэр зэщIы- гъуу хэплъащ цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ хэкIыпIэхэм. Абыхэм къызэралъытамкIэ, иджыпсту къалэ кIуэцIым щыIэ автовокзалхэр дахыу, ахэр «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгум хуэзэу ипщэ лъэныкъуэмкIэ — «Дубки» хьэблэм, ищхъэрэкIэ — «Щхьэлыкъуэ» гъуэгу-плъыр постыр здэщытым хуэзэу щыухуэн хуейщ. А Iуэхур тэмэму къалъытащ муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я администрацэхэм я Iэтащхьэхэм. Мы Iуэхур пхыкIрэ автостанцхэр къалэм дахмэ, абы Налшык и уэрамхэм транспортыр нэхъ тэмэму щызекIуэу ищIынущ. Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, автовокзалыщIэхэм къекIуалIэ е абыхэм щежьэ цIыхухэр гъуэгуакIуэ хъунукъым, сыту жыпIэмэ къалэм щыIэ маршрут псоми тет автобусхэр а вокзалхэм екIуалIэу ящIынущ. Абы къыдэкIуэу республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ нэсыху дэлъ гъуэгури километри 5 хуэдизкIэ нэхъ кIэщI хъунущ. Автовокзал №2-р къалэм дахмэ, ищхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуахэм къадэкIуэу, нэгъуэщI зыкIи сэбэп хъунущ. Ар иджып- сту здэщыт щIыпIэм деж къалэ бэзэрым къакIуэхэм я транспорту 1200-1500 щагъэув хъунущ. Апхуэдэ автомобиль гъэувыпIэр къызэрагъэпэщмэ, бэзэрым къыдекIуэкIхэу Горькэм, Толстойм, ПащIэм, Ахъуэхъум я уэрамхэр хуит къэхъужынущ. Ауэ мы Iуэхур зэгъэщIылIар транспортым пыщIахэм я закъуэкъым. Абы къыхэкIыу КъБР-м ТранспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм республикэм ис псоми лъэIукIэ захуегъазэ Налшык къалэм и дыхьэпIитIым хуэзэу автовокзалыщIэхэр щыухуэныр къазэрыщыхъур къатхыну. ЦIыхухэм зэреупщIымрэ абыхэм я жэуапхэмрэ щывгъуэтынущ КъБР-м и Правительствэм и порталым (www.pravitelstvokbr.ru), апхуэдэу КъБР-м ТранспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэм- кIэ и министерствэм и официальнэ сайтым (www.mintranskbr.ru).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25747.txt" }
Нобэ 1925 гъэм «Пионерская правда» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ. Кхъухьлъатэзехуэ цIэрыIуэ, авиацэм и маршал, Совет Союзым щэнейрэ и ЛIыхъужь Покрышкин Александр къызэралъхурэ илъэсищэ ирокъу. Абхъаз тхакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Искандер Фазиль и ныбжьыр илъэс 84-рэ ирокъу. Дунейм и япэ цIыхубз-космонавт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Терешковэ Валентинэ и ныбжьыр илъэс 76-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2, жэщым щIыIэр градуси 5 — 4 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25750.txt" }
Пшыхь дахэхэр къытпоплъэ КъБР-м и Правительствэм и зэIущIэм щэнхабзэмкIэ министр Фырэ Руслан щыжиIащ ди театрхэм я лэжьыгъэхэр нэгъуэщI щIыналъэхэм зэрыщагъэлъагъуэ хабзэ дахэр зэрызэпамыгъэур. Къапщтэмэ, 2012 гъэм къриубыдэу Музыкэ театрыр Ставрополь къалэм, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ театрыр – Шэшэн Республикэм щыIащ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрыр Черкассы (Украинэ) щекIуэкIа «Сцена людства» лъэпкъ зэхуаку театр фестивалым хэтащ, Балъкъэр драмэ театрым и зэфIэкI иригъэлъэгъуащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхухэм, апхуэдэуи ар тыркубзэхэм ирипсалъэ лъэпкъхэм я «Тугъанлык» театр фестивалым (щекIуэкIар Уфащ) хэтащ. Ди республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм игъэбелджылащ «Гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэр — къуажэм» зыфIаща Iуэхур. Абы къикIращи, спектаклхэмрэ концертхэмрэ щагъэлъэгъуэнущ республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ. «Урысей щэнхабзэ (2012-2018 гъэхэр) федеральнэ программэм хыхьэу 2013 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и театрхэр кIуэнущ Москва къалэм, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Ингуш, Тэтэрстан, Хакасие, Башкортостан, Ко- ми республикэхэм, Ставрополь крайм. Ди щIыналъэм и Iуэху дахэ хъуащ «Налшык — Кавказым и щэнхабзэ къалащхьэщ» фестивалыр. Абы къызэщIиубыдэу екIуэкIащ Урысейм и къэрал академическэ симфоние оркестр Светланов Евгений и цIэр зезыхьэм, Пятницкий Митрофан и цIэкIэ щыIэ Урыс къэрал академическэ цIыхубэ хорым, Молдавие Республикэм лъэпкъ къафэмкIэ и «Жок» къэрал академическэ ансамблым я пшыхьхэр. Темыркъан Юрэ и цIэр зэрихьэу зэхаубла симфоние музыкэмкIэ щIыналъэ зэхуаку фестивалым и япэ зэIущIэр гъэ кIуам Налшык щекIуэкIащ. Абы хыхьэрт Москва щыIэ «MUZICA – VIVA» камернэ оркестрым, СССР-м и цIыхубэ артист, Урысейм и Театр иным и уэрэджыIакIуэ Соткилавэ Зураб, Пармэ и Пащтыхь оперэм и солистхэм я оркестрым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и симфоние оркестрым я концертхэр. «Южная сцена» Кавказ Ищхъэрэ театр фестивалым и етIуанэ зэхыхьэм хэтащ республикэхэм я драмэ театр нэхъыфIхэр. «Мы зэманым ирихьэлIэу зэрыдубзыхуамкIэ, 2013 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щедгъэкIуэкIынущ Симфоние музыкэмкIэ щIыналъэ зэхуаку фестивалым, Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэм, и етIуанэ зэIущIэр, «Налшык — Кавказым и щэнхабзэ къалащхьэщ» фестивалыр, апхуэдэуи Налшык къэкIуэнущ ЦIыхубэ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ Урысейм и лъэпкъ академическэ оркестрыр, Осипов Николай и цIэр зезыхьэр, «Виртуозы Москвы» къэрал камернэ оркестрыр», — жиIащ министрым. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25754.txt" }
Сабиищ — насыпищ Налшык къалэ дэт Перинатальнэ центрым зы анэм сабиищ зэуэ къыщилъхуащ. IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Поздняковэ Тамарэ зэрыжиIэмкIэ, иужьрей илъэс ныкъуэм апхуэдэ хэхъуэ иджы ещанэу яIэщ. Япэу дунейм къытехьащ хъыджэбз цIыкIуитIыр (дэтхэнэми и хьэлъагъыр килограмми 2-рэ грамм 300-рэ мэхъу), итIанэ, цIыхухъу нэсым зэрихабзэу, абыхэм къакIэлъыкIуащ щIалэр (килограмми 2-рэ грамм 440-рэ). Сабийхэри абыхэм я анэ насыпыфIэ Ульбашевэ Iэсяти я узыншагъэр тэмэмщ, мыгувэу центрым щIатхыкIыжынущ. Операцэр ирагъэкIуэкIащ IуэхущIапIэм и обсервацэ къудамэм и унафэщI Тембот Лолитэрэ акушер-гинеколог Жэмбэч Лимэрэ. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, бзылъхугъэм и уэндэгъугъэр мазихым щынэсам щегъэжьауэ сабийхэр зэрыхэхъуэм ахэр кIэлъыплъащ, езы Iэсияти абыхэм я чэнджэщхэр егугъуу игъэзэщIащ. Iуэхур тэмэму зэрызэфIэкIам щыгуфIыкIар адэ-анэм я закъуэкъым, атIэ Перинатальнэ центрым и IэщIагъэлIхэми абы гухэхъуэгъуэ къарет, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ ар дохутырхэми я ехъулIэныгъэшхуэщ. Щомахуэ Лилэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25756.txt" }
Я къару псори IэнатIэр ефIэкIуэным ирахьэлIэ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэща зэIущIэ иджыблагъэ зэхэтащ. Абы къыщапщытэжащ 2012 гъэм узыншагъэр хъумэн IэнатIэм щекIуэкIа лэжьыгъэр зыхуэдар, мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэри къагъэнэIуащ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ, республикэм узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ, Парламентым лэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Жанатаев Сэлим, Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и профсоюзхэм я рескомым и унафэщI Яськовэ Ольгэ, ведомствэ щхьэхуэхэм я лIыкIуэхэр, медицинэ IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэр. КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министрыр зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ IэнатIэм и унэтIыныгъэ псоми щекIуэкI Iуэхугъуэхэм. Псом япэу абы къигъэлъэгъуащ узыншагъэр хъумэнымкIэ щыIэ IуэхущIапIэ щхьэхуэхэр КъБР-м и Правительствэм и унафэкIэ зэрызэхагъэхьэжар, нэгъуэщIу жыпIэмэ поликлиникэхэр, амбулаторэхэр сымаджэщ нэхъыщхьэхэм ирапхыжащ. Узыншагъэм щыкIэлъыплъ IуэхущIапIэхэр 128-рэ хъууэ щытати, иджы ахэр 61-м хуагъэкIуащ. Ар хуэунэтIащ цIыхухэм ягъуэт медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр нэхъри егъэфIэкIуэным. — Республикэм дохутыру 3183-рэ, курыт медицинэ лэжьакIуэу 8658-рэ щолажьэ, — жиIащ Шэт Ирмэ. – Медицинэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ IэщIагъэлI 845-м мы зэманым дахуэныкъуэщ. Министерствэм зэхилъхьащ «2013-2017 гъэхэм КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я зэфIэкIым зегъэужьын» программэ. Абы ипкъ иткIэ, IэщIагъэлIхэр щахуримыкъу IэнатIэхэм пэрыувэ дохутырхэм я улахуэм мазэ къэс ахъшэ бжыгъэ гуэр хущIагъунущ. Къуажэхэм щыIэ медицинэ IуэхущIапIэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэр трагъэгушхуэн папщIэ абыхэми я улахуэм процент 25-рэ хущIагъунущ. Апхуэдэу КъБКъУ-м и медицинэ факультетым щеджэ студентхэми депсэлъэнущ щылэжьэну унэтIыныгъэхэр къыщыхахкIэ нэхъ дызыхуэныкъуэ IэщIагъэм трагъэщIэным теухуауэ. IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я псэупIэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ ядэIэпыкъуным епхауэ къыхалъхьа «Къуажэ дохутыр» федеральнэ программэр зэрылажьэм и гугъу щищIым, министрым къыхигъэщащ ныбжьыщIи 136-м сом мелуан зырыз зэрыратар, апхуэдэуи республикэ бюджетым къыхэкIыу сом мини 100 дэтхэнэми зэрыхущIагъуар. А Iуэхум и фIыгъэкIэ, къуажэ пхыдзахэми зыхуэныкъуэ дохутырхэр яIэ хъуащ. Медицинэ лэжьакIуэхэм я улахуэм щытепсэлъыхьым Шэтым жиIащ, УФ-м и Президентым къыдигъэкIа «Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм къэрал политикэр щегъэфIэкIуэным теухуауэ» унафэр ягъэзащIэу, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм республикэм ику иту щат улахуэм тещIыхьауэ — дохутырхэм процент 200-кIэ, курыт, нэхъыщIэ медицинэ лэжьакIуэхэм ейм проценти 100-кIэ зэрыхагъэхъуэн программэ зэрызэхилъхьар. Апхуэдэу 2013 гъэм ику иту дохутырхэм я улахуэр сом 19627-рэ, курыт медицинэ лэжьакIуэм ейр сом 12133-рэ хъунущ. Къапщтэмэ, 2018 гъэм дохутырым — сом 55100-рэ, курыт медицинэ лэжьакIуэм сом 27550-рэ къихьу хъуну хуагъэфащэ. Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм щекIуэкI нэхъ лэжьыгъэшхуэ дыдэхэм ящыщщ псантхуэ узыфэ зиIэ сымаджэхэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэр сыт и лъэныкъуэкIи егъэфIэкIуэныр зэтеублэныр. Абы хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я гугъу пщIымэ, Республикэ клиникэ сымаджэщым хэту псантхуэ узыфэхэм щеIэзэ центр къызэIуахынущ, абы и къудамэхэр къыщызэрагъэпэщынущ Налшык къалэ сымаджэщ №1-мрэ Прохладнэ къа- лэ сымаджэщымрэ. Ахэр зыхуеину Iэмэпсымэхэр иджырей мардэхэм хуэкIуэу къащэху. Министрым и докладым къыщыгъэлъэгъуащ 2012 гъэм узыншагъэр хъумэн IэнатIэм сом мелуани 8.482,3-рэ зэрыхухахар. А мылъ- кур къыхэкIащ федеральнэ, республикэ бюджетхэм, апхуэдэуи Iэмал зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ фондми къыбгъэдэкIащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2011 гъэм елъытауэ блэкIа илъэсым а IэнатIэм къыIэрыхьа мылъкур процент 23-кIэ нэхъыбэщ. Узыншагъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ щыIэ программэм нэхъыбэу гулъытэ зыхуищIыр сабийхэмрэ анэхэмрэ хуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм хэгъэхъуэнырщ. Апхуэдэу абыхэм щакIэлъыплъ IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэр тэмэму зэтеублэным программэм хухаха мылъкум и процент 29,7-р токIуадэ. Перинатальнэ центрым сабий къалъхуагъащIэхэм щакIэлъыплъ къудамэщIэ къыщызэIуахащ. Реанимацэ, интенсивнэ терапиемкIэ къудамэхэм гъуэлъыпIэ 24-рэ щыIэу арати, иджы 25-кIэ нэхъыбэ хъуащ. УзыщыгуфIыкI Iуэхугъуэхэм ящыщщ къару мащIэу къалъху цIыкIухэм зэракIэлъыплъ IэмалыщIэхэр я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп зэрыхъуар. — Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм узыщрихьэлIэ гугъуехь нэхъыщхьэр IуэхущIапIэхэр зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмкIэ тэмэму къызэгъэпэщауэ зэрыщымытырщ, — жиIащ министрым. — Апхуэдэу республикэм щыIэ медицинэ къэрал IуэхущIапIэхэм ябгъэдэлъ мылъку нэхъыщхьэм (унэхэр, транспортхэр, Iэмэпсымэхэр) и процент 50-р жьы хъуащ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэу 26-м зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр къыщрахьэжьащ, абы щыщу 11-р зыхуей хуагъэзащ. Ахэр республикэ, район сымаджэщхэрщ, сабий поликлиникэхэрщ, узыфэ щхьэхуэхэм щеIэзэу щыIэ центрхэмрэ диспансерхэмрэщ. Республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэр нэхъ зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмкIэ къызэрагъэпэщащ, псори зэхэту Iэмэпсымэ зэхуэмыдэу 1200-рэ къащэхуащ. Абы щыщщ сабийхэм щеIэзэ IуэхущIапIэхэм яIэрыхьа медицинэ хьэпшып 372-р. Санитар машини 126-м ГЛОНАСС спутник навигацэ Iэмэпсымэр ирагъэуващ, диспетчер станцхэр, медицинэ дэIэпыкъуныгъэ псынщIэмкIэ IуэхущIапIэм и пэшхэр зыхуей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Шэтым и псалъэм къызэрыхэщамкIэ, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм электроннэ Iэмалхэр нэхъ жыджэру къыщагъэсэбэпынущ. Псом япэу медицинэ тхылъхэр, полисхэр а жыпхъэм тету зэрахьэу щIадзэнущ. Къапщтэмэ, абы цIыхухэм чэзум хэту ягъакIуэ зэманыр къахудигъэхуэнущ, иджы абыхэм Iэмал яIэнущ я унэм щIэсу дохутырым и деж зрагъэтхыну. А Iуэху зехьэкIэр лэжьыгъэм нэхъ жыджэру къыщагъэсэбэп хъумэ, абы и фIыгъэкIи дохутырхэр зыхуеину тхылъхэр нэхъ псынщIэу ягъэхьэзырыфынущ, сымаджэм и узыр зыхуэдэр тэмэму къахутэнымкIи мыхьэнэшхуэ иIэнущ. КъищынэмыщIауэ, ар IэмалыфIщ район, участкэ сымаджэщхэм я дохутырхэр видеолекцэхэм едэIуэнымкIэ, операцэхэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ. Министрыр тепсэлъыхьащ Урысей медицинэ академием дохутыр 65-м я Iэзагъэм зэрыщыхагъэхъуам, а Iуэхум дяпэкIи зэрыпащэнум. — Дохутырым и Iэзагъэм, зэфIэкIым зэрыхигъахъуэм куэдкIэ елъытащ ар зыпэрыт IэнатIэр ефIэкIуэныр, — жиIащ Шэт Ирмэ. — Абы и лъэныкъуэкIэ едгъэкIуэкIа лэжьыгъэм куэдкIэ елъытащ медико-демографие щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызихъуэжар. 2012 гъэм ди республикэм дунейм къыщытехьащ сабий 13721-рэ, 2011 гъэм еплъытмэ, къалъхухэм я бжыгъэм проценти 6-кIэ хэхъуащ. 2011, 2012 гъэхэм дунейм ехыжахэм я бжыгъэр зэбгъапщэмэ, проценти 5,3-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Къапэщылъ къалэнхэр къыщыхигъэщым, министрым жиIащ фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр цIыхухэм псоми зэхуэдэу ялъэгъэIэсыныр псом нэхърэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр. Абы республикэ унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ узыншагъэр хъумэн IэнатIэм гулъытэ къызэрыхуащIымкIэ икIи жиIащ зыхуагъэувыжа къалэнхэр зрагъэхъулIэным медицинэ лэжьакIуэхэм я Iэзагъ, зэфIэкI псори зэрырахьэлIэнур. Iэмал зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ щIыпIэ фондым и унафэщIым и къуэдзэ КIэрэф Владимир тепсэлъыхьащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэм. Абы къыхигъэщащ медицинэ IуэхущIапIэ псоми яIэрыхьэн хуей мылъкур зэрыхуаутIыпщар икIи абы и лъэныкъуэкIэ зыми я щIыхуэ зэратемылъыр. КIэрэфыр зэхэхауэ тепсэлъыхьащ фондым къыIэрыхьэ мылъкур къыздикIым, ар зытрагъэкIуадэ Iуэхугъуэхэм. Урысейм узыншагъэр хъумэнымрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и IэнатIэхэм якIэлъыплъынымкIэ и Федеральнэ къулыкъущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Расторгуевэ Светланэ и гугъу ищIащ медицинэ хабзэхэр къызэпызыудхэр зэрыщыIэм. Я IуэхущIапIэм иригъэкIуэкIа кIэлъыплъыныгъэм кърикIуахэм щытепсэлъыхьым, нэхъыбэрэ зрихьэлIэ Iуэхугъуэу абы къыхигъэщащ ныкъусаныгъэ зиIэ медицинэ дэфтэрхэр къызэрагъуэтыр, цIыхухэм хуащIэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ мыарэзыуэ тхьэусыхафэхэр зэрыщыIэр, сымаджэхэр хущхъуэкIэ тэмэму къызэгъэпэща зэрымыхъур. Портэ Галинэ жиIащ узыншагъэр хъумэн IэнатIэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэр республикэм и Правительствэм и нэIэ зэрыщIэтыр, медицинэ IуэхущIапIэхэм зэгъэпэщыжыныгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIми и гугъу ищIащ. Абы къыхигъэщащ ахэр зи къалэн IуэхущIапIэхэм фIагъ пылъу я лэжьыгъэр ягъэзэщIэнымрэ и чэзум ар зэфIагъэкIынымрэ ткIийуэ зэрыхуагъэувыр. Сабий зеиншэхэм я узыншагъэр къэпщытэным хуэунэтIауэ екIуэкI лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр жиIащ Портэм икIи медицинэ лэжьакIуэхэм елъэIуащ а Iуэхур жэуаплыныгъэ пылъу зэрагъэзэщIэным хущIэкъуну. «Апхуэдэ сабийхэр зыхуэныкъуэ операцэ лъапIэхэм папщIэ квотэхэр щыIэщ, ахэр къэдмыгъэсэбэпыныр щIэпхъаджагъэшхуэщ», — жиIащ Портэ Галинэ. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25760.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ 1 КъБР «Мир»канал Блыщхьэ, гъатхэпэм и 11 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Чемпионхэр». СССР-м атлетикэ хьэлъэмкIэ спортым и мастер Уянаев Владимир (12+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 7.55 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.15 «ЩIэныгъэр гъуазэщ». ЕгъэджэныгъэмкIэ Тэрч куейм и IэнатIэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.35 ««ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт-нэгузыужь программэ 18.35 КъБКъУ-м щеджэ студентхэм я щIэныгъэм хамэ къэралхэм щыхагъэхъуэным теухуауэ 19.25 Мультфильм 19.50 «Унагъуэ». Кэнжэ къуажэм щыпсэу Занкишиевхэ я унагъуэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.20 «Нобэ, пщэдей…». ЕджапIэм психологым щигъэзащIэ къалэныр 20.45 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Жэрыкъуэ Борис и фэеплъу (12+) 21.05 «Парт нэхъыщхьэ». Темыркъан Пётр 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, гъатхэпэм и 12 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «ЩIалэгъуалэ Iуэху» 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) 8.25 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) 8.45 «ЦIыхубэ IэщIагъэхэр». ЦIыхубэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрым и унафэщI Урыс А. (12+) 9.20 УсакIуэ Семэн Руслан теухуауэ 18.00 Мультфильм 18.20 «Псынэхэр». Куржы лъэпкъ щэнхабзэ центр «Риони» (12+) 19.25 Мультфильм 19.40 «Си щIыналъэм и цIыхухэр». Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран Мирзоев МутIэлип (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.00 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.30 «ГъащIэ гъуэгуанэ». КъБР-м и цIыхубэ артист Думэныщ Iэулэдин (адыгэбзэкIэ) (16+) 21.15 «Наркоконтроль». ИлъэсипщI дэкIа нэужь (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, гъатхэпэм и 13 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Дахагъэм уэрэд хузоус». СурэтыщI Курданов Валерэ (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Лъэхъэнэ». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Кетенчиев Мусэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.25 «БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.00 «Ди къежъапIэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.25 «ЛИК». Тележурнал 18.00 Мультфильм 18.05 «Спорт хъыбархэр». Урысейм кудомкIэ и федерацэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр 18.20 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль. Еянэ Iыхьэ 19.25 Мультфильм 19.35 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ». Токумаев Жэгъэфар и драматургиер (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.05 «Аращ сэ зэрыслъагъур…». Къып Мухьэмэд. Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.40 «Гъуэгу техьэ тенэркъым». Республикэм и гъуэгухэм я щытыкIэм теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 21.05 «Ислъамыр мамырыгъэм и динщ» (12+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, гъатхэпэм и 14 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Ар фщIэн хуейщ». Медицинэ хъыбарыщIэхэр 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Таурыхъым фрагъэблагъэ». «Къоркъакъ Галакчыкъ» балъкъэр таурыхъым къытращIыкIауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.35 УФ-м IэпщэрыбанэмкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заур теухуауэ 8.55 «Унагъуэ». Псынэдахэ къуажэм щыпсэу Къалэжьокъуэхэ я унагъуэм теухуауэ (адыгэбзэкIэ) 9.30 «Макъ жьгърухэр». Тэрч музыкэ еджапIэр (адыгэбзэкIэ) (6+) 18.00 УсакIуэ Додуев Аскэр и творчествэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.20 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль. Ебгъуанэ Iыхьэ 19.25 «Ди хьэщIэхэр». КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Узденов Альберт (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.20 «Аращ сэ зэрыслъагъур…». Къып Мухьэмэд. ЕтIуанэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.50 «Автограф». КъБР-м и Парламентым и щIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Джаппуев Мусэ (12+) 21.15 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Гузеевэ Ларисэ 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, гъатхэпэм и 15 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «ФIым хуэлэжьэн». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Кулиевэ Элизэт 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Си лIакъуэ». ТхакIуэ Шаваев Хьэсэн (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.30 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.50 «Лъэпкъ макъамэхэр». «Мелодия» пшынауэ ансамблыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.25 «Ди псэлъэгъухэр». Филологие щIэныгъэхэм я доктор ХьэкIуащэ Мадинэ (16+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.15 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. Ебгъуанэ Iыхьэ (12+) 19.25 Мультфильм (6+) 19.30 «ЩIэныгъэм ухуэзышэ гъуэгу». Физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат Апшаев Алий (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.00 «Узэгугъур къогугъуж» (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.25 «IэнатIэ етынымрэ IэщIагъэм хуегъэджэнымрэ». «Урысей зэкъуэт» урысейпсо политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм щрагъэкIуэкIа «стIол хъурей» (16+) 20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, гъатхэпэм и 16 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Зэхэкуэгъухэр». Мизиев Къанщобий (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.15 «ХъуэпсапIэм и гъуэгукIэ». Ватерлоо университетым (Канадэ) и профессор, геохимие щIэныгъэхэм я доктор СтIащ Орфан (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.50 «Нэхъ лъапIэ дыдэр — цIыхурщ». Психологие щIэныгъэхэм я кандидат Сэбаншы Ритэ (16+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.10 Мультфильм (6+) 16.25 «Ретроспектива». «Си республикэ». Телевизионнэ фильм (12+) 16.55 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 17.15 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 17.30 «Нобэ, пщэдей…». Жэмтхьэлэ Ищхъэрэ къуажэм дэт 2-нэ курыт еджапIэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.55 «Бзылъхугъэм и уэрэд». РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ ДыщэкI КIунэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 18.30 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 18.45 «Тхыдэм и щыхьэт» (16+) 19.15 «Жылагъуэ Iуэху». Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал псэупIэ инспекцэм и тхьэмадэ Къэжэр Нажмудин зыхэт нэтын (16+) 19.45 Композитор Къардэн Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъум и щIыхькIэ екIуэкIа гуфIэгъуэ пшыхь (16+) 20.25 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 17 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Утыку». КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жантуев Хьэнэфий (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 7.40 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 7.55 Адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэр. «ШыкIэпшынэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.25 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 8.40 «Кавказым хуэусахэр». Пушкин Александр (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.50 Мультфильм (6+) 17.00 «Ретроспектива». «Дорога на край жизни». Художественнэ фильм 18.30 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 19.00 «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Пщыгъуэш Юрэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.40 «Унагъуэ». Къэрэгъэш къуажэм щыпсэу Башорэхэ я унагъуэм теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.10 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБР-м и жылагъуэ палатэм хэт Уэрдащэ Александр (16+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, гъатхэпэм и 11 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын . 21.15 «Хамэ сабий щыIэкъым» нэтыныр. Гъубж, гъатхэпэм и 12 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын. 9.30 «Макъамэ пощт». 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «Дыгъэ бзийм хэтщ». «ГТРК «Къэбэрдей-Балъкъэрым» и журналист Геккиев Къазбэч и фэеплъу. Бэрэжьей, гъатхэпэм и 13 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. .20.40 ТВ-м и гъэтIылъыгъэхэм щыщщ. Теппеев Алим. «Гъуэгуанэ хьэлъэ». ЕтIуанэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ). Махуэку, гъатхэпэм и 14 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 9.00 «Нобэ япщэфIахэр». 9.30 «Макъамэ пощт». 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 20.40 «Вояж» нэтыныр. Мэрем, гъатхэпэм и 15 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ). 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр. 20.40 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» нэтыныр (адыгэбзэкIэ). 21.15 «Капитал-Инвест» иджырей ухуакIуэ IэнатIэщIэ . Щэбэт, гъатхэпэм и 16 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. 10.05 «Нобэ япщэфIахэр». 10.35 «Макъамэ пощт». Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 17 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр». 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. КъБР-м и радио Блыщхьэ, гъатхэпэм и 11 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00 «Гум и къеуэкIэ» (урысыбзэкIэ). 9.20/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, гъатхэпэм и 12 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.30 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.48/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Ди зэманыр» (урысыбзэкIэ). 9.20/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Классикэ макъамэм и концерт» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабийхэм хухаха сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/14.30 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, гъатхэпэм и 13 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/15.00 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/16.22 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.20/17.30/«Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «Адэжь щIыналъэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, гъатхэпэм и 14 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.0, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.20/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ). 9.20/17.30 «Макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм папщIэ ятха пьесэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.29/17.42 «Сабийхэм хухаха сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.39/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 «Адыгэ уэрэдыжьхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/12.45 «Дэтхэнэри щIыхьэну хуит ящI» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Пшыналъэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, гъатхэпэм и 15 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.30/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.20/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабийхэм хухаха сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.32 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, гъатхэпэм и 16 Хэкум и хъумакIуэм и махуэщ 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Айсурат». ЦIыхубзхэм папщIэ радиожурнал (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр» (урысыбзэкIэ). 10.00 «Дэрэжэгъуэ» (адыгэбзэкIэ). 10.30 «Псоми папщIэ эфир» (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00/14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 17 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ). 10.40/10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35/14.00 «Зэманым жьы дэмыхъу уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25766.txt" }
Йопи и школ Си финн лэжьэгъу Хаапаваарэ Хейккихэ я деж хьэщIапIэ сыщыIат. Зэрыхабзэти, саунэм сыщIимыгъэсуи къэнакъым, абы Хейкки щызигъэлъэгъуащ и къуэ Йопи пхъэм къыхищIыкIа къащыкъыр. — Дэнэ щыпщIар? — жысIэу илъэс 12 зи ныбжь Йопи сыщеупщIым: — Школым. Иджыпсту езым къижыхьу катер сощIри, гъатхэм хьэзыр хъунущ, — къызитащ щIалэщIэм жэуап. А псоми къадэкIуэу, фин школхэм цIыкIухэр щагъасэ пщафIэу, дэуэ, зэрызагъэщIэращIэ, унэм къыщагъэсэбэп нэгъуэщI хьэпшыпхэр ящIу. Абыхэм жаIэ: сабийм IэкIэ зыгуэр щищIым и дежщ Iуэхум егугъуу, и кIэм нигъэсу, хуэсакъыу щесэр. Финнхэм я бынхэр мис апхуэдэ Iуэху цIыкIуфэкIухэм щIапIыкI. Псалъэм папщIэ, школым уэзджынэ къыщрагъауэркъым, зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къэсмэ, къыщIэкIыу аращ. Абы зэманыр здынэсам кIэлъыплъу, укъыкIэрыхуи зэрымыхъунум ныбжьыщIэр хуегъасэ. Финнхэм илъэс 40 и пэкIэ школ лэжьэкIэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьэу щIадзащ. Унафэу къащтащ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хухэха школ щхьэхуэхэм къыщIашыжу, зи ныбжьыр илъэси 7 ирикъуа псори илъэси 9 еджапIэм ягъэкIуэну, къызэрыгуэкI программэкIэ, гъащIэм нэхъ епхакIэ ирагъэджэну. Гуманитарнэ предметхэрат нэхъ зытрагъащIэр. Класси 9 къауха нэужь, и ныкъуэр иджыри илъэсищкIэ гимназием е лицейм щоджэ. Адрейхэр ПТУ-м щIотIысхьэ. ТIуми зэрыщеджэ программэхэр школым елъытауэ нэхъ гугъущ. ХьэщIапIэ сыздэщыIэм, класс 6-нэм щIэсхэм папщIэ математикэмкIэ тхылъыр щIэсплъыкIащ. Зэ еплъыгъуэкIэ тынш дыдэщ абы ит есэпхэр: электричествэм мазэм ихьыр, унэм къыщыщIэдзауэ школым нэс дэлъ гъуэгум и кIыхьагъыр къэбжын…. ШколакIуэхэм я процент 91-р полъэщ апхуэдэ есэпхэр щIыжыным. Гъэхуауэ, щыуагъэншэу къызэреджэмкIи финнхэр куэдым япэ итщ. Абыхэм хуагъэувыр литературэ тхыгъэр зэпкърыхыным и закъуэкъым, атIэ лэжьыгъэм ехьэлIа текстхэми хагъаплъэ: хъыбарегъащIэ, рекламэ ирагъэтх, авиарейсхэм я зэманыр зрагъащIэ, лэжьапIэ укъащтэн щхьэкIэ птхын хуей анкетэхэр ягъэхьэзыр. Мис абыхэм я жэуапыр къыщалъыхъуэкIэ, ныбжьыщIэхэм Интернетыр щIапщытыкI, литературэр щIаджыкI. НэгъуэщIу жыпIэмэ, куэд йоджэ. Инджылызыбзэр сабийхэм класс 3-нэм щыщIэдзауэ ирагъэдж, тхьэмахуэм сыхьэтитIкIэ. Абыхэм а бзэр зэращIэмкIэ Европэм еплIанэ увыпIэр щаубыд. ЕплIанэ классым щыщIэдзауэ етIуанэ хамэ къэралы-бзэр къыхрагъэх. Йопи къыхихар урысы- бзэщ. Фин школхэм я ехъулIэныгъэр, дауи, зыдэплъагъур егъэджакIуэхэрщ. Фин егъэджакIуэр — Iэзэщ, ар университетым щыщIэтIысхьэкIэ езым хуэди 10 — 12-м нэхърэ нэхъыфIу къалъытэн хуейщ. ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэм улахуэ хъарзынэ къыпокIуэ. ПэщIэдзэ еджапIэм (1 — 7-нэ классхэр) щылажьэхэм сом мини 120-рэ къахь. 7-м къыщыщIэдзауэ 9-нэм нэс щезыгъаджэхэм я улахуэр сом мини 160-рэ мэхъу. Класс унафэщIымрэ гупжьей (кружок) зэмылIэужьыгъуэхэр езыгъэкIуэкIымрэ и улахуэм хуэдиз дыдэ ахъшэ мазэ къэс ират. Фин еджапIэхэм щыIэщ сабийхэм ядэIэпыкъу психологхэр, социальнэ лэжьакIуэхэр, медсестрахэр. Абыхэм я бжыгъэмкIи Европэм щынэхъ пашэщ финнхэр. Финн егъэджакIуэр — щхьэхуитщ. Ар езыр хуитщ зэрыригъэджэну тхылъхэр къыхихыну, методикэр иубзыхуну. ИкIи отчет щхьэхуэхэр ищIыжын хуейуэ и къалэнкъым. АтIэ нэхъыщхьэу къыхуагъэувыр сабийхэм 9-нэ классыр къаригъэухынырщ, дэтхэнэми ирита щIэныгъэр зэхуэдизу. Ар апхуэдэуи тынш дыдэкъым, сабийхэм я дэтхэнэ етхуанэри еджэным тыншу зэрыхэмызагъэр къэплъытэмэ. Апхуэдэ ныбжьыщIэхэм зы тхьэмахуэм сыхьэти 2 — 3 хуэдэкIэ щхьэхуэу уадэлэжьэн хуейщ. Ауэ ар зи къалэныр нэгъуэщI егъэджакIуэщ. Фин егъэджакIуэм класс журнал иIыгъкъым. Сабийхэм ятехуа псори компьютерым илъщ. Аращ урокым зыщытепсэлъыхьынури, тестхэм къарикIуахэри щахъумэр. Адэ-анэхэм папщIэ электроннэ почти яIэщ. — Зы илъэсым къриубыдэу щэ къытIэрохьэ ди сабийр зэреджэм теухуа хъыбарыр, — жеIэ Йопи и анэ Анна-Стинэ. — Къахь оценкэхэм нэмыщI, я хьэл-щэнри, жыджэрагъыу яхэлъри, ныбжьэгъухэм зэрахущытри, школ мылъкум зэрыхуэсакъри тхауэ къытхурагъэхь. Адэ-анэхэми я сабийр школым щIэмыкIуам и щхьэусыгъуэмкIэ егъэджакIуэм хъыбар зэрырагъащIэр интернеткIэщ. ЕгъэджакIуэм медицинэ справкэ зэи къапиубыдыркъым и гъэсэнхэм. Илъэсым къриубыдэу тIэу егъэджакIуэр унагъуэм макIуэри, абы щIэсхэм яхуозэ. Ар «адэ-анэхэм я махуэкухэращ». Къэгъэлъэгъуапхъэщ егъэджакIуэр школакIуэм зэи зэремышхыдэри, уеблэмэ щхьэхынэу жриIэнуи хуиткъым. Митенев Валерий, Suomenmaa фин газетым и корреспондент.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25769.txt" }
Нобэ 1944 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ къэрал комитетым и УнафэщI Сталин Иосиф Молотовым и цIэкIэ щыIэ колхозым и парт организацэм и секретарь Къашыргъэ ХьэпащIэ фIыщIэ къыхуищIат, Дзэ Плъыжьым зэрызыщIагъэкъуам папщIэ. 1960 гъэм Куба щыщ жэмыш Пащты Салимэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. Адыгей тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Жанэ Кърымызэ къызэралъхурэ илъэс 94-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 3 — 6, жэщым щыIэр градуси 2 — 1 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25772.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Ахъшэ яIамэ… Адыгей. Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий Адыгейм и профсюзхэм я лIыкIуэхэм яIущIащ. ЗэIущIэр нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьар бюджет лэжьакIуэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным теухуауэ Урысейм и Президентым къищта унафэр гъэзэщIэнымкIэ Адыгейм и правительствэм зэфIихыну къыпэщытхэрщ. А Iуэхур зэфIагъэкIын папщIэ республикэм сом мелуан 482-рэ хурикъуркъым. Ар къилъытэри, федеральнэ центрым Адыгейм сом мелуани 132-рэ хухихащ, ауэ иджыри Москва къыдэIэпыкъуну мэгугъэ. — Ди жагъуэ зэрыхъущи, псори зэдгъэхъулIэнымкIэ хэкIыпIэхэр къыдомэщIэкI. Ауэ, гугъуехьхэр щыIэми, Iэмал къэгъуэтауэ унафэр гъэзэщIэн хуейщ, — жиIащ ТхьэкIушынэм. Москва къокIуэ Абхъаз. Президент Анкваб Александр лэжьыгъэ IуэхукIэ гъатхэпэм и 12-м Москва кIуэнущ. МахуитIым къриубыдэу Абхъазым и Iэтащхьэр Урысейм и Президент Путин Владимир IущIэнущ. Ахэр тепсэлъыхьынущ лъэныкъуитIыр зэрызэдэлажьэм зэрызрагъэужьыну щIыкIэм. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25774.txt" }
Адыгеймрэ Шапсыгъымрэ къызэхакIухьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и вице-президент, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ иджыблагъэ IущIащ Адыгей Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий. ЗэIущIэм кърихьэлIащ ЩIДАА-м и Краснодар щIэныгъэ центрым и унафэщI, академик Що-джэн Асхьэд, Адыгей Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Хъуажь Мариет, АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, ди лъэп- къэгъухэм ядэлэжьэнымкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и къэрал комитетым и Iэтащхьэ Щхьэлахъуэ Аскэр, Экономикэмрэ медицинэ, социальнэ IэнатIэхэмрэ зегъэкIуэнымкIэ Краснодар дэт институтым и ректор, ЩIДАА-м и академик Iэщын Юныс, Кубань къэрал мэкъумэш университетым и факультетым и декан Лебедовский Иван сымэ. ТхьэкIушынэм хьэщIэхэр гуапэу иригъэблэгъащ икIи къажриIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэми ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиеми дяпэкIэ нэхъ пыухыкIауэ зэрадэлэжьэнур. — Дэ нэхъыбэрэ дызэIущIэн, щIэныгъэм, экономикэм зегъэужьыным ди гуащIэ хэтлъхьэн хуейщ, — жиIащ ТхьэкIушынэм. — Ди хэгъуэгухэм — Адыгейм, Краснодар крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым — щыпсэухэм сытым дежи ныбжьэгъугъэр япэ ирагъэщу щытащ. Апхуэдэуи экономикэ и лъэныкъуэкIэ зы зыужьыныгъэ гъуэгу тетщи, псоми ди зэхуэдэ къэралыр егъэфIэкIуэным дегугъун хуейщ. Краснодар крайм хиубыдэ Белореченскэ районым и Iэтащхьэ, профессор Имгрунт Иван, Краснодар крайм хыхьэ Динской районым и Iэтащхьэ, профессор Жилентэ Сергей, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор ШамтIыжь Алий сымэ ЩIДАА-м зэрыхагъэхьамкIэ я дипломхэмрэ щыхьэт тхылъхэмрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд яритыжащ икIи академием и президиумымрэ абы и Президент Нэхущ Iэдэмрэ я цIэкIэ ехъуэхъуащ. Мы щIалищри Краснодар крайм щолажьэ, ауэ къыщыхъуари, щеджари, нэхъыбэрэ щыпсэуари Адыгейращ. ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и псалъэм къыхигъэщащ Адыгей Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий щIэныгъэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIыр, апхуэдэуи ехъуэхъуащ республикэм и Iуэхухэр дяпэкIи нэхъыфI хъуну, зиужьыну. ДАХ-мрэ КъАХ-мрэ къабгъэдэкIыу АР-м и тхьэмадэмрэ министрхэмрэ тыгъэхэр хуащIащ. * * * А махуэм и пщыхьэщхьэм Псэзыуапсэ жылэм щекIуэкIа пшыхьми зрагъэхьэлIащ Хасэ тхьэмадэхэм. Ар теухуат КIэкIыхъу Мэжид Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу зэрыщытрэ илъэс 20 зэрырикъум, езым и ныбжьыр илъэс 55-рэ зэрыхъум. Сэхъурокъуэ Хьэутий къыщыпсалъэм КIэкIыхъу Мэжид гуапэу ехъуэхъуащ икIи зэпIэзэрыту, и лъэпкъэгъухэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм гу лъитэу, къэралри езыр зыхуэлажьэ шапсыгъхэри арэзы ищIу илъэс куэд щIауэ зэрылажьэм папщIэ фIыщIэ хуищIащ. ДАХ-м и тхьэмадэр къеджащ адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымкIэ фIыщIэ ин зэриIэм папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр фIэщыным теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен мазаем и 27-м къыдигъэкIа унафэм. АдэкIэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къэбэрдейм ираша саугъэтхэр иритыжащ пшыхьым щагъэлъапIэ тхьэмадэм. Шапсыгъым щекIуэкIа зэIущIэм хэтащ Абхъаз Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист Битокъу Аслъэнбэч. А пщыхьэщхьэр зыгъэдэхахэм яхэтащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэхэр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Ташло Алий, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэрэдурэ Динэ сымэ. ЕтIуанэ махуэм Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и хэщIапIэр зрагъэлъэгъуащ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25776.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Гупсысэр – псалъэкIэ ГукъэкIыжхэр Фи Хэкум ноби ситщ. Фи деж зыщысплъыхьынкIэ срикъуркъым. Си гугъэнтэкъым гукъэкIыжхэм апхуэдиз щэху фхэлъу. Къытезгъэзэжурэ мызэ-мытIэу сывблэкIаи хуэдэщ. ИтIани, сыкъэкIуэху щIэ гуэрхэр, нэхъапэм фщызмылъэгъуа телъыджэхэр къызыкъувопхъуэт. ЛъащIэ имыIэу ара фи пхъуантэм? Е, сызыпэмыплъа хъыбар куэдыIуэ зэуэ къыстефтхъуэмэ, уIэгъэ зи куэд гум зэрыхуэмышэчынур къывгурыIуэрэ? Ара си къэкIуэгъуэ къэс хъыбарыщIэ гуэр къыщIызэвутIыпщыр? Хьэуэ, фэ зыгуэр вдэзгъуэу аракъым. Уеблэмэ, псэм апхуэдизкIэ фыкъоIэфIэкIри, сызыщыщ зэманри сIэщIэгъупщыкIыжурэ сыфхэджэразэу сыщыфхэгъуэщэжыр нэхъыбэщ. Фы-зэрыблэкIар е фыкъызэрызгъэнар къыспкърошэсэжри… Аракъэ сызыукIыр?! Сэ нэгъазэ сызэримыIэри фэ фызэрызэзмышэлIэжыфынури къызгуроIуэри, блэкIам сыхуозэш. СыхуэзэшкIи къигъэзэжынукъым абы. Сэлам дыди къызимыхыжу ежьэжащ… Хуэмурэ фызоутIыпщыж. ЗыфщызогъэпщкIу. ГъащIэм сыхокIуэтэж. Сесэжи хуэдэщ. Ауэ итIани сыфхуэныкъуэ мэхъу, фысхуолIэри, фи лъыхъуакIуэ сыножьэж. СыфкIэлъоIэбэ. СыфкIэлъопIастхъэ. Фэри ффIэфIыпсу фыкъыслъохьэ. СызэщIывоIулIэ, си гъащIэм зыкъыхывоутхыпщIэ, фи гупсысэр къыстывоунащIэ. Сыщыфхузэгуэп къысхуохуэ куэдрэ. Ауэ екIуэлIапIэншэ сыхъуа, гуитIщхьитIыгъэм и къапхъэным сриубыда нэужь, згъуэтыжыр фэращ. Фэращ сызэкIуалIэр, сызэжалIэр. Сытывогъэуж, фыкъызодэхэщIэж, си нэпсыр схуволъэщIыж. Апхуэдэхэм деж согупсыс: сыту фIыщэу фызиIэт гукъэкIыжхэр! Си гум щызэтрихьа гуныкъуэгъуэхэри а гупсысэм лъэныкъуэкIэ ирегъэкIуэтэкIыж. Гугъуэт Заремэ. Гъатхэм и лэгъупыкъу КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым, хабзэ дахэ хъуауэ, илъэс къэс утыку къыщрахьэ «Гъатхэм и лэгъупыкъу» гъэлъэгъуэныгъэр мы махуэхэм къызэIуахащ. ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщI бзылъхугъэхэм я IэдакъэщIэкIхэр налшыкдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ ирагъэлъагъу, езыхэми я гукъыдэжыр къаIэт. Абыхэм ехъуэхъуну хуей цIыхухъухэм я дежкIи гъэлъэгъуэныгъэр хэкIыпIэфIщ, сурэтыщI бзылъхугъэхэм зэуэ псоми псалъэ гуапэ яжепIэныр сыт и уасэ! Япэ хъуэхъу псалъэр жиIэну лъысащ зэIущIэр езыгъэкIуэкIа, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий. Ар зи унафэщI IуэхущIапIэм щылажьэу зи махуэр зыгъэлъапIэхэм абы яритащ мимозэ удз дахэм и къудамэ гъэгъаибэ зырыз. АдэкIэ къэпсэлъапIэр хуит хуащIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру илъэс куэдкIэ щыта Ефэнды Джылахъстэн, ЦIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис, Художественнэ школым и унафэщI Зэхъуэхъу Валерэ, Налшык къалэм и ЦIыхубз советым и унафэщI Дыджэш Лидэ (розэ дахэхэри бзылъхугъэхэм яритащ), СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарь Сындыку Нелли, сурэтыщI Абей Iэсият, искусствовед Леонтьевэ Нинэ, нэгъуэщIхэми. ЦIыхухъухэр гуапэу тепсэлъыхьащ анэхэм, шыпхъухэм, щхьэгъусэхэм я махуэшхуэм, абыхэм лIыгъэрэ зэфIэкIыу гъащIэм къыщагъэлъагъуэм, ахэр хэмыту я дунейр нэгум къызэрыщIамыгъэхьэфым. Гъатхэпэм и 8-м хуэдэу щIэращIэу, дахэу, гуапэу ахэр псэуну, ехъулIэныгъэ я лэжьыгъэм дяпэкIи щаIэну ехъуэхъуащ. «Унэгуащэм» и къалэныр игъэзащIэу къэпсэлъащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым и унафэщIым и къуэдзэ Хъымбэзэр Агнессэ. Абы жиIащ фондым къекIуалIэхэми и цIыхугъэхэми сурэтыщI бзылъхугъэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрафIэгъэщIэгъуэныр, еплъ пэтми зэрызыщамыгъэнщIыр. — Сэ сринасыпыфIэщ мазэрэ ныкъуэ зэманым къриубыдэу мы дахагъэм и курыкупсэм сызэрыхэсынум, махуэ къэс ахэр зэрыслъагъунум, — жиIащ Агнессэ. СурэтыщI 18-м я IэдакъэщIэкIхэм ягъэщIэрэщIащ пэшым и блынхэр. Абыхэм зэм уэрам зэв цIыкIухэм удашэ, пщIантIэм дэт къаз шырхэм ухагъаплъэ, зэми бзылъхугъэм и щIасэ удз гъэгъа зэмыфэгъухэм «зыхыуагъэгъэпскIыхь». Мазэгъуэ жэщ гуакIуэм ухэту жылэр къызыхыбокIухь, нэхугъэм ухуокIуэ… Аргуэру зэ ди нэгу щIокI сурэтыщI гъуазджэмрэ макъамэмрэ зэрызэщIэжьыуэр, IэпщIэлъапщIагъэм къыхуигъэщIа цIыхухэм удз гъэгъам и мэ гурыхьыр зыхыуагъа- щIэ. «Гъатхэм и лэгъупыкъу» гъэлъэгъуэныгъэм хэт сурэтхэм я цIэхэми куэд къыбжаIэ: «МыIэрысей», «Гъатхэ» (зыщIар Абей Iэсиятщ), «Пщыхьэщхьэ» (Аккизовэ Сиярэ), «… гум илъ щэхур…» (Аккизовэ Имарэ), «Анэмрэ сабиймрэ» (Бейтыгъуэн Людмилэ), «Удз гъэгъахэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ» (Болэт Людмилэ), «Къазхэр», «Орхидея» (Пак Галинэ), «Красивый» уэрамдэкIыр», «Тюльпан гъуэжьхэр» (Пак Софья), «Гъатхэм и бэуэкIэр», «Сэхуран» (Зеленская Юлие), «Хризантемэхэр» (Иванниковэ Ольгэ), «Хы Iуфэм деж щалъэгъуа пщIыхь» (Ерчэн Ольгэ), нэгъуэщIхэри. Мамоновэ Светланэ и лэжьыгъэхэу пэш цIыкIум щхьэхуэу щагъэлъагъуэри махуэш-хуэм и гупсысэм куэдкIэ пэджэжырт. ИСТЭПАН Залинэ. Къуажэхьхэр Жыг дакъэкъым, пхъэ къэбкъым Ди гуэн цIыкIу лы изщ. Ди къуакIэ дамэкъуэ шыхьа дэлъщ. Жыг дакъэкъым, пхъэ къэбкъым, зегъэкъри щылъщ. Жыг зылъахъэу лъахъэбжьэншэ. ЗэкъуэшипщIым джэдыгуитI ящыгъщ. Жэуапхэр: Iэпхъуалъэ. ТхьэкIумэкIыхь. Щхьэхынэ. Лъэнтхъуий. IэлъитI. ФIыщIэ Си нысэхэм хуэдэ щыIэкъым «ЦIыхум и цIэр езым зыфIещыж», — жиIащ пасэрейм. Апхуэдэу я хьэл-щэнкIэ, я дуней тетыкIэкIэ, я IуэхущIафэкIэ, къэзыухъуреихьхэм зэрахущыткIэ я пщIэр къалэжьыжащ си нысэхэу Альбинэрэ За- линэрэ. Илъэс зыбжа- нэ хъуащ а бзылъхугъэ цIыкIуитIыр ди унагъуэм къызэрихьэри, зыгуэркIэ сигу щызрагъэбгъа къэхъуакъым, дагъуэ щIахуэсщIын ядэслъэгъуакъым, зэрыжаIэу, я псэлъэкIэкIи я IэбэкIэкIи удахьэх. Шэч хэмылъу, си нысэхэм я фIагъыр зыдэлъагъупхъэр ахэр зыпIа я адэ-анэрщ. Нысэ нэхъыжьыр Къармэхьэблэ къуажэм щыпсэу Кугъуэтхэ, нэхъыщIэр Дыгулыбгъуей жылэм щыщ Лъэпщокъуэхэ къахэкIащ. Альбинэ и адэ-анэ СулътIанрэ Хьэлимэтри Залинэ къэзылъхуахэу Къасболэтрэ Лидэри куэдрэ псалъэ гуапэхэр яхужызоIэ апхуэдэ щIэблэ къызэрагъэхъуамкIэ, иджыри газет напэкIуэцIыр къэзгъэсэбэпкIэрэ а нэхъыжьыфIхэм фIыщIэ яхузощI апхуэдэ бын зэрагъэсам папщIэ. Альбини Залини ягуми я псэми дыхьэ IэщIагъэ яIэщ, зыхэтым фIыкIэ къахэщу, адэ-анэ нэсым зэрагъэсар нэрылъагъуу, я хабзэри я нэмысри яIыгъыжу апхуэдэхэщ. ТIури къызбгъэдэсу зы пщIантIэ дыдэсщи, языхэзым щхьэхуэ зищIыну ягу илъкъым, апхуэдэу зэгурыIуэ-зэдэIуэжу унагъуэр дыкъыздокIуэкIри. Езы нысащIитIыр зэшыпхъуитIым хуэдэщ, пщIэи, нэмыси, лъагъуныгъи я зэхуаку дэлъу, зым и Iуэхур адрейм дигъэпсынщIэу, я гуфIэгъуи я гукъеуи зэдагуэшу мэпсэу. Зихуэдэ щымыIэ си нысэхэм ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу сохъуэхъу узыншагъэ быдэ, ефIэкIуэныгъэ, ехъулIэныгъэ яIэну, насыпрэ дэрэжэгъуэрэ гъатхэм къахуздихьыну, я бынхэм я гуфIэгъуэ куэд ялъагъуу дуней щIэращIэм гу щахуэну. Къущхьэ Сэфарбий. Аушыджэр къуажэ. Псалъэжьхэр Унагъуэм и лъынтхуэ ФызыфIыр уи акъылэгъумэ — уунэнщ. Унэр зыгъэшэрыуэр унэгуащэщ. Насыпыр фызыфIым къыдокIуэ. Бзылъхугъэр унагъуэм и лъынтхуэщ. Бзылъхугъэм и лъэIур Тхьэм и унафэм хуэдэщ. ЦIыхубзыр дахэмэ, мэпагэ. Бзылъхугъэ здэщыс сэ къыщрахкъым. Унэр зыгъэунэри благъэр зыгъэблагъэри фызырщ. Хабзэ ЩхьэлъащIэм и хьэтыркIэ Адыгэ хабзэр зыщIэ, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэ цIыхухъури мэтэдж цIыхубз къыщыщIыхьэкIэ, къыщыбгъэдыхьэкIэ, щыблэкIкIэ. ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ зэгъусэу щытмэ, щысмэ е гъуэгу теувэмэ, цIыхухъум цIыхубзыр и ижьырабгъумкIэ егъэув (егъэтIыс), ауэ и гъусэр и щхьэгъусэмэ, здигъэувыпхъэр (здигъэтIысыпхъэр) сэмэгумкIэщ. АбыкIэ къащIэу щытын хуейщ ахэр зэрызэщхьэгъусэр. ЦIыхухъуитI зэщыхьамэ: «ЩхьэлъащIэм и хьэтыркIэ щывгъэт», — жиIэу цIыхубзым и IэлъэщIыр абыхэм яку дидзамэ, зэзэуэну зэпэщIэувахэр зэпикIуэтыжырт. «ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ», — жыхуиIэм къикIыр щакIуэ е бдзэжьеящэ щыIа цIыхухъум къихьым щыщ япэ зыхуэзэ цIыхубзым тыгъэ хуищIын хуейуэ жызыIэ щыIэщ, ауэ мыбы къикIыр абыкIэ зэфIэкIыркъым, атIэ цIыхубзым дэ- нэ дежи, сыт щыгъуи пщIэ лей зэрыхуэщIыпхъэрщ. Нэмысыншэу къалъытэ къигъафэ хъыджэбзым жьэхэуэ щIалэр, цIыхубзхэм, сабийхэм яхэту тутын ефэр, псалъэ фIей жызыIэр, чэфу ябгъэдэтыр, абыхэм я пащхьэ щIыкIейуэ итыр. Унэм щыщIыхьэкIэ, куэбжэм щыдыхьэкIэ адыгэ цIыхубзхэм цIыхухъур япэ ирагъэщ, ар я щIыб ирагъэплъэну къахуегъэкIуркъым. Адыгэ хабзэмкIэ цIыхубзыр цIыхухъухэм япэ щрагъэщыр нэщхъеягъуэ здэщыIэ пщIантIэм щыдыхьэм дежщ. ЦIыхубз фIэкIа зыбгъэдэмыс Iэнэм щхьэ щIэлъэныкъуи, нэгэгъуи яхьыркъым, щыуагъэкIэ кIуами, якъутэркъым, ягуэшыркъым. ЦIыхухъу гупым яхэт цIыхубз закъуэм е тIущым я Iэр нэхъапэ яубыд. ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ IэплIэ зэхуащIын хъумэ, бзылъхугъэрщ жэрдэмыр зейр. ЦIыхухъум япэ цIыхубзым IэплIэ иришэкIыныр емыкIуу къелъытэ адыгэ хабзэм. ЦIыхухъум япэу IэплIэ зыхуищIыпхъэр анэшхуэ, анэ шыпхъу, адэ шыпхъу, езым и шыпхъу дыдэхэрщ. Дунейпсо этикэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, цIыхухъурэ цIыхубзрэ щызэхуэзам деж сэлам ирихыну япэ Iэбэн хуейр цIыхубзырщ, ауэ ар адыгэ цIыхубз щыпкъэм къыхуегъэзэгъыркъым. КъыхуегъэкIуркъым езым и Iэр япэ ишийуэ цIыхухъуIэм IэщIилъхьэну. Ар зыщIэ, хабзэ зыхуэхъуа адыгэ цIыхухъухэми езыхэм я Iэр япэ яшийрэ сэлам ирахыу есащи, абы тету йокIуэкI. Жылау Нурбий. ЖыIэгъуэхэр ЦIыхубзыр уи яужь къихьэмэ… Унагъуэм тхьэмадэр и щхьэщ, унэгуащэр — и псэщ. ФызыфIрэ лIыфIрэ зэнатIэкъым. ЦIыхубзыр къарууншафэ къарущ, цIыхухъур къарууфIафэ къарууншэщ. ЦIыхубзыр уи яужь къихьэмэ — узыIэрегъэхьэ, къыкIэлъыбжыхьу щIэбдзамэ — пIэщIэкIащ. Уипхъу жепIэрейр езы уи нысэм зэ еIуэтылIи, утыншыжащ. ЦIыхубз дахэр зэ фэладжэ мэхъуж, лъагъугъуафIэр сыт щыгъуи лъагъугъуафIэщ. Дахэр гъуджэ иплъэреймэ, лъагъугъуей мэхъу. ЦIыхухъукIэ насыпыфIэ цIыхубзымрэ цIыхубзкIэ насыпыфIэ цIыхухъумрэ нэгъуэщI щIремыхъуэпсыж. Бейтыгъуэн Сэфарбий. Адыгэ бзылъхугъэм хужаIахэр Тхьэм зы щIыпIэм щызэхуишэса? Ижь-ижьыж лъандэрэ къэрал зэхуэмыдэхэм ящыщ къэхутакIуэхэр, еджагъэшхуэхэр ягъэщIагъуэу адыгэ бзылъхугъэм тетхыхьащ. Ахэр тепсэлъыхьащ адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэм, и акъыл жаным, ар нэхъри гуакIуэ зыщI зэрихьэ хабзэ гъэщIэгъуэнхэм. X лIэщIыгъуэм адыгэ хэкум щыIа хьэрып географ-къэхутакIуэ Абдул-Хьэсан Али аль Массуди мыпхуэдэу итхыгъащ: «Хэгъуэгуу дэ дыздэщыIахэм, къеттхэкIа лъэпкъхэм зыри яхэткъым адыгэхэм хуэдэу зи щIыфэр хужьрэ зи бзылъхугъэхэр дахэрэ. Зы лъэпкъи иIэкъым апхуэдэ уардагъэ, Iэпкълъэпкъ зэкIуж. Адыгэ бзылъхугъэхэр цIэрыIуэщ я хьэл-щэн дахэмкIэ». Массуди и ужькIэ илъэс 800-м нэс дэкIауэщ нэмыцэ философ-этнограф Гердер Иоганн адыгэхэм щатетхыхьар. Мис абы итхам щыщ пычыгъуэ: «Мыр адыгэ хэкущ, дахагъэм и хэщIапIэщ… адыгэ бзылъхугъэр дуней хъурейм къыщацIыху. Абыхэм я набдзэ шылэ фIыцIэ псыгъуэ къурашэм, хъуаскIэр къызыщIих нэ фIыцIэхэм, натIэ хужь джафэм, нэкIу хъурей Iупэ пIащIэм удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. Дуней псом Iэпкълъэпкъ зэкIужу тет цIыхухэр мыбдеж Тхьэм щызэхуишэсам хуэдэщ… Дэ Европэм, ди насыпти, мы лъэпкъ дахащэм дыпэмыжыжьэу Тхьэм дыкъигъэщIащ». Сабийхэм жаIэ Къысхуэпхьыным елъытауэ Дисэ: Динэ, укъыщалъхуа махуэм себгъэблэгъэну? Динэ: СщIэркъым, иджыри сегупсысакъым. Ар къысхуэпхьынырщ зэлъытар. Гу лъитакъым ЗэпрыкIыпIэм деж щыт полицэм гъуэгу техьэну ежьа щIалэ цIыкIур къигъэувыIэри еупщIащ: — Плъагъуркъэ лампI плъыжь къыпынар? Сабийм зэхэзещхъуэну жиIащ: — ЛампIыр слъэгъуащ, гу зылъызмытар уэращ. И щIыIухэмкIэ ЕджапIэ зытIэщIыпIэм уэздыгъэр щыункIыфIат. Къантемыр зихуэпэжатэкъым. — Уи бэлътор дауэ къэбгъуэтыжыну? — зыхуигъэзащ абы Хьэлым. — И щIыIухэмкIэ. — Ахэр сыт хуэдэ? — ИмытIамэ, зыхуэдэнур сыт? Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 5. Къуэшу дыбж, дыкъэзыбж республикэ. 7. НэгъуэщIхэм хэмыгъуэщэн щхьэкIэ джэдкъазым традзэ дамыгъэ. 9. Дзыгъуэшхуэм и бий кIэуфIыцI. 11. Iэлъынхэм ирагъэтIысхьэ, ирагъэщIэращIэу. 12. ЗэIыхьлитI, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуитI. 13. Зэрызехьэ, зэщыхьэ. 16. Адыгэ таурыхъхэм къызэрыхэщымкIэ, псэущхьэ хьилэшы. 17. IэмыкIуэлъэмыкIуэ. 20. Къру лъэпкъым щыщ къуалэбзу пIащэ, лъатэу. 22. ХадэхэкI. 23. Си шым … къищтащ. 25. Мыщэр уигу къэзыгъэкI хьэшхуэ. 26. Адыгэ щыгъын щIыIутелъ. 29. Адыгэ композитор. 3I. Сирием я Iэтащхьэ … Асад. 33. Пхъэщхьэмыщхьэ. 34. ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэ цIэрыIуэм хэт Мадинэ фIыуэ илъэгъуа щIалэр. 35. Iэпслъэпс. 36. Щыблэ щыуэкIэ, пшэхэм къыхолыдыкI. 39. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Министрхэм я Советым и Iэтащхьэу щыта. Абы и цIэр зэрехьэ Налшык и уэрамхэм ящыщ зым. 41. Мэл зыхэвэ нэхърэ — … зыхэпкIэ. 42. Iэщым я фэр изых бадзэжь. 44. Ди щIыпIэм куэду къыщыкI жыг лIэужьыгъуэ. И фэр быдэщ, псэуалъапхъэ къыхах. 45. ХъуаскIэ къызыхих мывэ быдэ. Къехыу: 1. Комбайн щыщымыIам къэкIыгъэхэр зэрыпаупщIу щыта Iэмэпсымэ. 2. … къурашэ. 3. ЦIыху залым, фIэкIыпIэншэ. 4. Мэжджытым хэщIыхьа … джапIэ. 6. Пхъэщхьэмыщхьэ. 8. А цIэр фIащауэ Бахъсэн районым щыIащ къуажищ. Иджы щыми нэгъуэщIыцIэщ зэрахьэр. 10. ЦIыху фейцей, лъагъугъуей. 13. БжэIулъэ. 14. Кавказым щыщ къалэ, цIыху мелуаным щIигъу щыпсэууэ. 15. Нарт Щэуей и адэр. 18. Зи пхъафэр щхъуантIэ-хужьыфэ жыг. МафIэдз зыщI IэнатIэхэм куэду къыщагъэсэбэп, тхылъымпIи къыхащIыкI. 19. Зи щхьэкIэр гъуэжь дахэу гъэмахуэпэм гъагъэ удз лIэужьыгъуэ. ЦIыхухэм яшх. 21. Совет Союзым и зэманым щIакхъуэ хужь къызыщIэкIыу щыта ахъшэ жьгъей. 24. Джэдкъаз. 27. ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым и джэгуакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист. 28. ХадэхэкIыр Iисраф зыщI дзыгъуэшхуэ. 30. ЩIалэщ, и … илъыгъуэщ. 32. Анэкъилъху. 33. … пыIэ. 37. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 38. ЛъагапIэ, бжьэпэ. 40. Былым Iус. 41. Шым и плъыфэ. 43. Нартыху хъумапIэ. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Гъатхэпэм и 2-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ИхъуреягъкIэ къикIухьу: 13. Кукъу. 14. Къурыкъу. 15. Къум. 16. Маленков. 17. Вынд. 18. Дэхъу. 19. Хъуэхъу. 20. Хъун. 21. Нэжэс. 22. Сэмб. 23. Баш. 24. Шэпхъ. 25. Хъэуан. 26. Номин. 27. Нэд. 28. Дыщ. 29. Щыгу. 30. Гуэдз. 31. Дзасэжь. 32. Жьей. 33. Бжьын. 34. Ныбжьэгъу. 35. Гъуэз. 36. «Заман». 37. Нал. 38. Лэрыгъу. 39. Гъуэмб. 40. Балъкъ. 41. Къру. 42. Утыку. 43. Кушыку. 44. Куэзыр. 45. Сом. 46. Мэш. 47. Шырыкъу. 48. Къуэш. 49. Шортэн. 50. Нэм. 51. Мет. 52. Тхьэв. 53. Ахъмэт. 54. Тут. И кумкIэ кIуэуэ: 1. Дыгъужь. 2. Алабгъуэ. 3. Болэ. 4. Тхъусэ. 5. Къэдабэ. 6. Уэзы. 7. IупщIэ. 8. Къаплъэн. 9. Жинт. 10. Мылъку. 11. БажэкIэ. 12. Лъей.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25781.txt" }
Анэхэр фхъумэ! Гъатхэпэм и 8-м ирихьэлIэу, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэмрэ Социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэщIэнымкIэ Налшык къалэ центрымрэ пшыхь дахэ хузэхашащ Хэку зауэшхуэм хэта ди цIыхубзхэм, а лъэхъэнэм текIуэныгъэм папщIэ зи къару емыблэжахэм. Псалъэ гуапэкIэ бзылъхугъэхэм зыхуагъэзащ Дзэм и ветеранхэм я Налшык къалэ Советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и исполкомым и унафэщI Канунниковэ Татьянэ, «Молодая гвардия» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Нэзрэн Беслъэн, Социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэщIэнымкIэ Налшык къалэ центрым и унафэщIым и къуэдзэ Наумэ Антонинэ. — ФIыуэ тлъагъу, пщIэ зыхуэтщI ди цIыхубзхэм си гуапэу сынывохъуэхъу фи махуэшхуэмкIэ! Сэ сыт щыгъуи жызоIэ цIыхубзыр — анэщ, унэгуащэ емызэшыжщ. Узыншагъэ быдэ фиIэну, гуфIэгъуэр фи куэдыну сыфхуохъуахъуэ, — жиIащ Мустэфа. Абы и псалъэм пищэу, Канунниковэ Татьянэ бзылъхугъэхэм ехъуэхъуащ гуфIэгъуэрэ лъагъуныгъэкIэ гъэнщIа гъащIэ дахэ яIэну, я гукъыдэжыр мыужьыхыу куэдрэ лъэпкъым хуэпсэуну. — «Молодая гвардия» жылагъуэ зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу. ДощIэ цIыхубзыр псом япэу зэрыанэ гумащIэр, быным зэрихъумакIуэ гупцIанэр. Щхьэщэ фхудощI апхуэдэ къару ин зэрыфхэлъым папщIэ, фи гъащIэр купщIафIэу екIуэкIыну ди гуапэщ. ЩIалэгъуалэм захузогъазэ анэхэм я жагъуэ фымыщIыну, гуфIэгъуэ куэду евгъэлъагъуну, — жиIащ Нэзрэн Беслъэн. Бзылъхугъэхэм я махуэр ягъэдэхащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист Ташло Алий, КъБР-м, ИР-м, Осетие Ищхъэрэ-Аланием щIыхь зиIэ я артист Даур Иринэ, «Къафэ» къэфакIуэ гупым, «Амикс» ансамблым хэт КIуантIэ Аленэ, КъБКъУ-м и «Стимул» уэрэджыIакIуэ гупым. Апхуэдэуи пшыхьыр щIэщыгъуэ ищIащ зэхьэзэхуэ куэдым и лауреат, къэфакIуэ ныбжьыщIэ Къалмыкъ Тамерлан. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25790.txt" }
Тхыдэм и гъуджэ Къэралым и архив лэжьакIуэхэм мы гъэм иджы епщIанэу я махуэр ягъэлъапIэ. 1720 гъэм гъатхэпэм и 10-ращ Пётр Езанэм Iэ зыщIидза «Регламент нэхъыщхьэ е Устав»-р — архив Iуэхухэр зэуIуу зэрызэкIэлъагъакIуэм и лъабжьэр зыгъэбелджылы Урысейм щыяпэ къэралпсо правовой актыр къыщытрадзар. Регламент нэхъыщхьэм къэрал IуэхущIапIэхэм яхуигъэувырт къэрал тхылъыр учет ящIу, дэфтэрхэр хъумапIэм иратыну, абы папщIэ актуарис къэрал къулыкъу IэнатIи къызэIуихат. Ащхъуэт Раисэ Иджырей тхыдэщIэр, я политикэ Iуэху еплъыкIэу щытахэм емылъытауэ, ди хэкуэгъухэм, ди адэжьхэм я гъащIэщ, я фэм дэкIахэрщ, гуитIщхьитIагъыу яIахэмрэ я ехъулIэныгъэхэмрэщ. КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм иджырей тхыдэщIэ дыдэм и дэфтэрхэмкIэ и центрым и къалэнри, республикэм и цIыхухэм хуиту зыхагъэгъуэзэн щхьэкIэ, ахэр зэхуэхьэсыжынырщ. ЗэмыхьэкIауэ, пэжу я купщIэ дыдэмрэ я мыхьэнэмрэ щIэблэм ябгъэдэтлъхьэн хуэдэу. Дэфтэр щIэинхэр зэхуэхьэсыным, хъумэным хуэунэтIауэ ди центрым и лэжьакIуэхэм нэгъабэ зэфIэкI хъарзынэ къагъэлъэгъуащ, отчет лъэхъэнэм къапэщылъахэр дагъуэншэу ягъэзэщIащ. ЗэдгъэхъулIахэм я гугъу тщIымэ, дэфтэрхэр зэрахъумэ щIыкIэр зэуIуу зэхуэдгъэкIуащ. Тхылъ щIэин 8700-м я щытыкIэр къэтпщытащ, актхэмкIэ щIэдгъэбыдащ, дерт зыгъуэтахэр щхьэхуэ тщIащ. Мыхьэнэ хэха зиIэхэр, гъэщIэгъуэныщэхэр дгъэбелджылащ, «Архив фонд» программэ комплекс къызэгъэпэщыным делэжьащ. 1972 гъэри хэту, КПСС-м и обкомым теухуа хъыбархэр диIэщ. ЕтIуанэ хъумапIэм щIэлъхэр зэтедгъэкIын мурадкIэ, фондым щыщу миным щIигъу дгъэIэпхъуащ, ахэр зыхуэдэхэр щIэрыщIэу зэхэдгъэувэжащ. Ар хуабжьу лэжьыгъэшхуэщ. IуэхущIапIэрэ цIыху щхьэхуэу бгъум я фондхэм нэгъабэ къахэхъуащ. Апхуэдэщ «Урысей зэкъуэт» политикэ партыр, Дунейпсо Адыгэ Хасэр, тхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд, драматург Мамеев Ибрэхьим, дирижёр Темыркъан Борис сымэ ейхэр, нэгъуэщIхэри. Сурэт дэфтэрхэми 152-рэ къахэхъуащ. КъищынэмыщIауэ, фонд 24-м папщIэ зэхэтхыжын хуей тхылъхэр къеIытхащ. Абыхэм ящыщщ УФ-м и Компартым и щIыналъэ къудамэр, республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и дин IуэхущIапIэр, «Советская молодежь» газетыр, «Нюр» журналыр, «Алан» щIыналъэ зэхуаку жылагъуэ организацэр, къэрал, парт, жылагъуэ лэжьакIуэхэу КIуэкIуэ Валерэ, Дохъушокъуэ Мусэ, Зумакулов Борис, дуней псом щыцIэрыIуэ дирижёр Темыркъан Юрэ, телевиденэм и ветеран Безыр Чэмал, композитор Молэ Владимир, нэгъуэщIхэми теухуар. БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэ иджырей тхылъхэр зэхуэхьэсыныр къыIах бжыгъэм елъытакъым, атIэ япэ игъэщыпхъэр я фIагъырщ. Жылагъуэ гъащIэр къэзыIуатэ сыт хуэдэ документри зэрыщыт дыдэм хуэдэу хъумапхъэщ. Къыхэтлъхьа IуэхущIэхэм ящыщщ тхыдэм и лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм теухуа архив тхылъхэр зэхуэхьэсыныр. Къапщтэмэ, зэман кIыхькIэ яIэщIэхуауэ щыта цIыхухэм я цIэ-унэцIэр къыкъуокIыж, зауэм хэтахэм, фронтым хуэлэжьахэм, фашистхэм я гъэрыпIэм ихуахэм ятеухуа тхыгъэ лъапIэхэр зэпымыууэ къытIэрохьэ. Апхуэдэу комсомол лэжьакIуэу щытахэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен, и тренер цIэрыIуэхэм я фондхэм тхылъ лъапIэхэр къыхалъхьэ. СурэтыщI цIэрыIуэхэм, театрхэм, телевиденэм, радиом я лэжьакIуэхэм, мы гъэм илъэс 80 ирикъу «Кабардинка» ансамблым и артистхэм я тхылъхэр зэхудохьэс. Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщIу 122-м я тхыгъэхэр электрон IэмалкIэ нэгъабэ къыдатащ. «Кабардинка» ансамблым и солисту щыта Битокъу Беслъэн а къэфакIуэ гуп цIэрыIуэм и зэфIэувэкIамрэ зыужьыкIамрэ теухуа сурэт гъэщIэгъуэну 100-м щIигъу къытхуихьащ. КъищынэмыщIауэ, ансамблымрэ Къэбэрдей драмэ театрымрэ ятеухуа сурэт, видео документу гигабайти 100 къызэрыдитынум хуигъэхьэзыращ. Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я IэнатIэхэм хуэфащэ гулъытэ игъуэтын зэрыхуейр къэтлъытэри, КъБКъУ-м и профессорхэм я спискэр гъэхьэзырыным дегугъуащ. Узыншагъэр хъумэным, цIыхубэ хозяйствэм, промышленностым, нэгъуэщI IэнатIэхэми а Iуэхум щыпытщэнущ. Щэхуу яхъумэу щыта дэфтэрхэр хэIущIыIу дощI. КъБР-м и Архив IуэхущIапIэр илъэс 90, Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм зэрыхыхьэрэ илъэс 455-рэ, КъБКъУ-р илъэс 55-рэ зэрырикъур нэгъабэ дгъэлъэпIащ. Ди IэщIагъэлIхэм абыхэм ятеухуа тхыгъэу 8,теленэтыну 2, гъэлъэгъуэныгъэуи апхуэдиз ягъэхьэзыращ. Зэрыщыту къапщтэмэ, архивым и лэжьакIуэхэм нэгъабэ зэфIэкI хъарзынэ къагъэлъэгъуащ, я къалэнхэр дагъуэншэу ягъэзэщIащ, ноби а щапхъэм тетщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Архив къулыкъущIапIэр Iуэхум хуэIэижь нэхъыжьыфIхэмрэ IэщIагъэлI щIалэхэмрэ щызэкъуэт IэнатIэщ. Абы и щыхьэтщ тегушхуэныгъэ яхэлъу ипэкIэ зэрыплъэр, творческэ мурадыфIхэр зэраIэр. Республикэм и унафэщIхэм я нэIэ къызэрыттетым, ахэр къызэрыддэIэпыкъум апхуэдэ гушхуэныгъэ къытхелъхьэ. Ащхъуэт Раисэ, КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм иджырей тхыдэщIэм и тхылъхэмкIэ центрым и управленэм и унафэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25792.txt" }
ХьэлкIэ щабэу, акъылкIэ жану — ГъэщIэгъуэнщ журналистикэм сызэрыхыхьар, — къыддогуашэ КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Хьэгуарэ Джамилэ. Сэ къэзухар КъБКъУ-м тхыдэмкIэ и къудамэращ. Сабийхэр цIыкIуу унэм сыщыщIэс зэманым «Кабардино-Балкарская правда» газетым дэлэжьэн щIэздзащ, стхыхэр къызэхъулIэу щыжаIэм, корреспонденту езгъэжьащ. ИлъэситхукIэ абы сыщыIауэ, сызэрытхэр ягу ирихьри, «Газета Юга»-м срагъэблэгъащ. Абы сыщыIэу къалэн къысщащIащ Къанокъуэ Арсен къэзгъуэту, Налшык дищIыхь мэжджытым теухуауэ къэзгъэпсэлъэн хуейуэ (а зэманым ар иджыри Москва щыпсэу хьэрычэтыщIэу арат). Хьэгуарэ Джамилэ Къэзгъуэтащ, къызэпсэлъащ. Абы и ужькIэ лэжьыгъэ IуэхукIэ иджыри зэ сыхуэзэн хуей щыхъум, «къыздэлажьэ» жиIати, хьэуэ къыхэзгъэкIакъым. Куэд дэмыкIыу Къанокъуэ Арсен КъБР-м и Iэтащхьэу щыхахым, сэ пресс-секретарь IэнатIэр пщэрылъ къысщищIащ. ИкъукIэ лэжьыгъэ гугъущ, жэуаплыныгъэ зыпылъщ, ауэ и гугъуагъым хуэдиз гъэщIэгъуэнагъи хэлъщ абы. Илъэситхум щIигъукIэ а IэнатIэр есхьэкIауэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм щыIэ ХъыбарегъащIэ-аналитикэ IуэхущIапIэм сагъакIуэри, абы илъэсым нэблагъэкIэ сыщылэжьащ. Мы зэманкIэ министрым и къуэдзэ IэнатIэр къысхуагъэфэщащи, солажьэ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ езмыхьэкIами къызэгугъуэкI, къыстехьэлъэ яхэтакъым. СфIэфIу солажьэ, си IэнатIэм гурэ псэкIэ сыбгъэдэтщ, Iэмал зэриIэкIэ, цIыхухэм сифI зэрезгъэкIыным, сазэрыдэIэпыкъуным сыхущIокъу. — Уэ уи щапхъэмкIэ долъагъу жэуаплыныгъэ зыпылъ сыт хуэдэ IэнатIэри цIыхубзым зэрыхуэгъэкъаруунур. — ЦIыхубзым хузехьэнущ унафэщI IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Унагъуи ипщэ зэрыдэлъым къыхэкIкIэ, тIэкIу нэхъ гугъу хъунущ жумыIэмэ, цIыхухъухэм нэхърэ нэхъыфIу унафэщI къалэныр зыхузехьэнухэри диIэщ. ЦIыхубзым и хьэлкIэ жэуаплыныгъэшхуэ хэлъщ. И лэжьыгъэр и зэманым зэригъэзэщIэнум, и пщэ къыдэхуэ къалэнхэр нэхъыфIу зэрызэфIихынум яужь итщ. Си щхьэкIэ, махуэ къэс къалэн пыухыкIахэр зыхузогъэувыж, ахэр зэкIэлъыкIуэу къызотхыхри, махуэр и кIэм нэблэгъэху, Iэмал гуэр иIэххэмэ, зэрызэфIэзгъэкIынум иужь ситщ. КъызэмыхъулIахэр къыкIэлъыкIуэ махуэм фIэзгъэкIыркъым. Бзылъхугъэр нэхъ зэщIэкъуауэ, укъызэримыгъэщIэхъуным яужь иту, жэуаплыныгъэ зыхищIэу и IэнатIэм пэрытщ. ЩыцIыкIум щегъэжьауэ унагъуэ къалэнхэм зырыхуагъэхьэзырыр арагъэнущ абы лъабжьэ хуэхъур. — ЦIыхухъуми цIыхубзми я зэхуэдэу сыт яхэлъын хуейуэ къэплъытэрэ? — Псом нэхърэ нэхъапэу цIыхум хэлъын хуейм и гугъу пщIымэ — ар цIыху лъагъуныгъэщ. Аращ псоми я къежьапIэр, лъабжьэр. Уи хъуреягъыр фIыуэ плъагъумэ, мамырыгъэри зэгурыIуэри нэхъыбэ щыхъунущ мы дунейм. Мис а лъагъуныгъэр цIыхугухэм зэрыщымыпсэужырщ нобэ дызыгъэгузавэ Iуэхухэм къежьапIэ яхуэхъур. ГъащIэм цIыхухэм къахуигъэув къалэнхэм езы гъащIэр яримыгъэлъагъуж мэхъу. Гъэсэныгъэм лъагъуныгъэ щIымыгъумэ, псыхэкIуадэщ. Абы ехьэлIауэ цIыхубзхэм я пщэ къалэнышхуэ къыдохуэ. Дэ щIэблэр дгъэсэн, абыхэм щапхъэ дахуэхъун хуейщ. ЦIыхум нэхъ лъапIэныгъэу иIэр — цIыху лъагъуныгъэр къытщIэхъуэ щIэблэм яхэлъу къэдгъэтэджынырщ. Къэзанокъуэ Жэбагъы «зэманым декIур лIыфIщ» — зэрыжиIар ди цIыхубзхэм яхуэгъэзауэ къэзгъэсэбэпынут. Дуней зызыужьым къезэгъыу гъэсэныгъэри, хабзэри, динри зэгъусэу щIэблэм хэплъхьэн папщIэ ауэ къызэрымыкIуэу акъылышхуэ ухуейщ. СызыгъэгуфIэхэм ящыщщ ди цIыхубзхэм унагъуэ ри, сабий гъэсэнри, лэжьыгъэри зэрызэдахьын щIэ-ныгъэрэ зэфIэкIрэ зэра- Iэр. — Дэ зэрытщIэмкIэ, уэ хъыджэбз тхьэIухудитI уиIэщ. Ахэр дэнэ нэса, сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэр яIэ? — Хъыджэбз нэхъыжьыр КъБКъУ-м инджылызыбзэмкIэ къудамэм щоджэ, еплIанэ илъэсыр негъэс. НэхъыщIэр Санкт-Петербург Киномрэ телевиденэмкIэ и университетым и ещанэ курсым щIэсщ. ЕджапIэр къаухмэ, адэкIэ деплъынщ, зэкIэ пыухыкIауэ зыри схужыIэну къыщIэкIынкъым. — ГъащIэм узригъэувэ щытыкIэм елъытауэ, гъуазэ пхуэхъуауэ псалъэ хэха уиIэ? — Япэм «зэи укъимыкIуэт», — жысIэу щытащ, иджы ар цIыхухъухэм нэхъ хуэкIуэу къысщохъу. Сэ сыцIыху щабэу жаIэ, ар езым къызгурыIуэжу, зэран къыщысхуэхъуи къысхуихуащ, ауэ, итIани, а щабагъэр цIыхубзым хэмылъу къысхуегъэзэгъыркъым. ЦIыхубзыр хьэлкIэ щабэу, акъылкIэ жану, гукIэ къимыкIуэту щытын хуейуэ къызолъытэ, гъащIэм и «жьапщэхэм» зыщихъумэфын папщIэ. — Сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэнт Къэбэрдей-Балъкъэрым ис бзылъхугъэхэм. — Сыхуейт ди цIыхубзхэм пщIэ нэхъыбэ яIэну. Хъарзынэщ цIыхубзхэм я махуэ хэха зэрыщыIэр, ауэ цIыхубзыр махуэ къэс апхуэдэ пщIэ, гулъытэ хуэныкъуэщ. Махуэшхуэхэм дызэрызэхуэгуапэм, дызэрызэхуэгумащIэм хуэдэу махуэ къэс дыщытамэ, гъащIэр нэхъ дахэ хъунут, шэч хэмылъу. Ди цIыхубзхэм я гъащIэр яхуэзыгъэдэхэн, яхуэзыгъэлъэпIэн къакъуэту я дунейр гъатхэ щIэращIэм хуэдэу ирахьэкIыну, фIыгъуэм я нэхъыщхьэр зэгурыIуэщи, дэтхэнэ унагъуэми зэгурыIуэрэ узыншагъэрэ илъыну си гуапэщ! Епсэлъар Инэрокъуэ Данэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25796.txt" }
ШУРДЫМ Iэсият: Лъагъуныгъэрэ гулъытэрэ фыщымыщIэну Ди лъэпкъым и щIыхьыр зыIэт хабзэхэм ящыщщ абы цIыхубзым хуищI пщIэмрэ гулъытэмрэ. Абы щыхьэт тохъуэ ди IуэрыIуатэм хэт адыгэ псалъэжьхэр: «ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ», «Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ», «ЦIыхубзыр унагъуэм и шхэпсщ», нэгъуэщIхэри. Зэманым дэбэкъуэф иджырей адыгэ бзылъхугъэм, гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым жыджэру хэтыфым, и щапхъэщ Федеральнэ пощт къулыкъущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Шурдым Iэсият Хъусен и пхъур. Жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэр иригъэфIакIуэу, ехъулIэныгъэхэр зыIэригъэхьэу зэрыпэрытым къыдэкIуэу, Iэсият унагъуэ дахэм и унэгуащэ IэкIуэлъакIуэщ, щхьэгъусэ щыпкъэщ, анэ щабэщ, анэшхуэ IэфIщ. ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Шурдымым упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. Шурдым Iэсият — Iэсият, псом япэрауэ, сынохъуэхъу къэблэгъа махуэшхуэмкIэ. Уи гукъыдэжым хэмыщIу, бзылъхугъэм насыпу къилъытэ псомкIи Тхьэр къыпхуэупсэу упсэуну си гуапэщ. Зедмыгъэубгъущэу дытегъэпсэлъыхьыт узиунафэщI IэнатIэм. ЦIыхур игъащIэми хуэныкъуэу къокIуэкI хъыбарыщIэхэм, иджырей зэманым ар къызэрыбугъуеин Iэмал куэд къежьами, пощт зэпыщIэныгъэхэм я мыхьэнэр абы, дауи, игъэлъэхъшакъым… — Пэжщ, ди лъэхъэнэр къулейщ хъыбарегъащIэ Iэмал пэрытхэмкIэ. ДэнэкIи зыгъази, зы Iуэхуи тэмэму пхузэфIэхынукъым Интернет, электрон пощт, нэгъуэщI технологиещIэхэри къыумыгъэсэбэпу. Апхуэдэу хъуми, пощт зэпыщIэныгъэм и мыхьэнэр иджыри хуабжьу инщ. Федеральнэ пощт къулыкъущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэр республикэм и IуэхущIапIэ нэхъ инхэм, зызыужьхэм, ефIакIуэхэм ящыщщ. Ди IуэхущIапIэм къызэщIеубыдэ къудамэ 202-рэ. Ахэр щолажьэ республикэм и жылэ псоми. А щIыпIэхэм щыпсэу цIыхухэм письмохэр, посылкэхэр, бандеролхэр хуашэу, махуэ къэс гъуэгу тоувэ IэнатIэ нэхъыщхьэм икI автомашинэу 70. ЦIыху минитIым щIигъу щылажьэ республикэ къудамэм цIыхухэм яхуищIэф IуэхущIэхэм ящыщщ Интернетым, электрон пощтым, ахъшэхэр зэIэпыхыным, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр тыным, кхъухьлъатэ, мафIэгу билетхэр щэным епхахэр, нэгъуэщIхэри. Ди лэжьыгъэр псори зыхуэунэтIар цIыху гъащIэр нэхъ тынш щIынырщ. — СызэрыщыгъуазэмкIэ, узипашэ пощт къулыкъущIапIэм щIэх-щIэхыурэ къыщызывогъэпэщ псапащIэ Iуэхухэри. Абыхэм къытхутепсэлъыхьыт, Iэсият. — Дэтхэнэ IэнатIэми хуэдэу, дэри жыджэру дыхэтщ республикэм, къэралым щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэм. Зы илъэси къанэркъым «Уэ уи закъуэкъым!», «Уи лъахэгъухэм фIыщIэ къыпхуащI», «Си анэ, сэ уэ фIыуэ узолъагъу» псапащIэ Iуэхухэр едмыгъэкIуэкIыу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ гулъытэ хэха яхудощIыф жьы хъуахэр щапIыж унэм щыпсэухэм, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, анэ быныфIэхэм. КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу къызэдгъэпэщауэ щытащ «Пощтым лъагапIэхэр къещтэф» Iуэху хьэлэмэтыр. Абы щыгъуэ екIуэкIа Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэу щытащ Федеральнэ пощт къулыкъущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и ныпыр Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэм — Iуащхьэмахуэ — и щыгум зэрыщыдгъэувыфар. Абы щыIэ «Къэухь» станцми щолажьэ ди къудамэ хэха. — Шэч хэлъкъым: гуп зэкъуэту, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу фызэдолажьэ. НэгъуэщIу апхуэдиз Iуэху купщIафIэ пхузэфIэхынукъым. — Зы унагъуэшхуэм хуэдэу дызэхэтщ, щхьэж и къалэныр ныкъусаныгъэншэу зэригъэзэщIэным хущIэкъуу. Ди лэжьакIуэхэм я нэхъыбэр бзылъхугъэщ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэнумэ, абыхэм ягъэзащIэ пощт лэжьыгъэм и Iыхьэшхуэ. Абыхэм яхэтщ илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зи IэнатIэр езыхьэкI куэд. Иджыпсту ди къулыкъущIапIэм къыпэщыт къалэнхэм ящыщщ пощтзехьэхэм, операторхэм я улахуэм хэгъэхъуэныр. Абы щхьэкIэ хэкIыпIэхэр, Iэмалхэр доубзыху. Илъэс блэкIар ди IэнатIэм и дежкIэ къызэрымыкIуэу щытами, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрыдгъэхьащ. Федеральнэ пощт къулыкъущIапIэм иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм япкъ иткIэ, щIыналъэ къудамэхэм я урысейпсо рейтингым 13-нэ увыпIэр щыдубыдащ. ИпэкIэ дыздэщытар 82-рат. Ар ехъулIэныгъэшхуэу къыдолъытэ. — УзиунафэщI IэнатIэм щылажьэ бзылъхугъэхэм, республикэм ис цIыхубз псоми сыт хуэдэ псалъэхэмкIэ захуэбгъэзэнт гъатхэ махуэшхуэм и пэ къихуэу? — ПщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъу бзылъхугъэ лъапIэхэ, ди щIыналъэм щыпсэу псэ хуабэхэ! Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Гъатхэпэм и 8 махуэшхуэмкIэ. Фи унагъуэкIэ, бынкIэ, благъэ-IыхьлыхэмкIэ гукъеуэ фимыIэу, фыузыншэу, лъагъуныгъэрэ гулъытэрэ фыщымыщIэу, фи гум илъ хъуэпсапIэхэм фи Iэр лъэIэсу куэдрэ Тхьэм фигъэпсэу! Мамырыгъэрэ зэгурыIуэрэ ди щIыналъэр зэи щремыщIэ! — Апхуэдэ фIыгъуэхэм уэри Тхьэм ухимын, Iэсият. Епсэлъар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25800.txt" }
Лъыхъуэм къегъуэт ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу дэ зыхуэдгъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ-щIым и къуэдзэ Саенкэ Татьянэ, и мурадхэм, и лэжьы-гъэм, бзылъхугъэ цIэры-Iуэм и щэхухэм зыщыдгъэгъуазэмэ ди гуапэу. Саенкэ Татьянэ — ЖызыIэ щыIэщ бзылъхугъэмрэ политикэмрэ зыкIи зэмыкIуалIэ Iуэхуу. Уэ урищыхьэтщ а псалъэхэр зэрыпцIым, ауэ IэнатIэр къыщохьэлъэкI къэхъурэ? — Политикэм ухэтыну, дауи, тыншкъым. Абы махуэ къэс къару епхьэлIэн, уи щIэныгъэр хэбгъэхъуэн хуейщ. Политикэм сыхэмыхьэ щIыкIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм илъэс 18-м щIигъукIэ сыщылэжьащ. ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ, ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ, ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, нэгъуэщI комитет зыбжани си нэIэ щIэтщи, псом нэхърэ нэхъ гугъур унафэхэмрэ хабзэхэмрэ къанэ щымыIэу ущыгъуазэу щытын зэрыхуейрщ, зэхъуэкIыныгъэ щыхэплъхьэкIэ, ущымыуэн хуэдэу. Мис а псори пхузэгъэуIумэ, адэкIэ гугъужкъым. Сэ сыт щыгъуи щIэ гуэр зэзгъэщIэну, сымыщIэр къэсщIэну сыхущIокъу. Лэжьэн щыщIэздзами щIэныгъэм сыхуэпабгъэ зэпытт, щIэныгъэм хэзыгъахъуэ дерсхэм сыкIуэрт. Политикэм ухэтыфын, абы зыгуэр хэплъхьэфын папщIэ, цIыхухэм уепсэлъэфу, абыхэм я гум щыщIэм ущыгъуазэу, гу зылъытапхъэм ухуэнабдзэгубдзаплъэу ущытын хуейщ. Узыр бгъэхъужын папщIэ, абы и къежьапIэращ къэлъыхъуапхъэр. ЦIыху къызэрыгуэкIхэм Iуэху пыухыкIа гуэрым и хэкIыпIэр нэхъыфIу щащIэ куэдрэ къохъу. Аращ абыхэм нэхъыбэрэ уахуэзэн, уедэIуэн щIыхуейр. Политикэм пыщIам зэманым декIуу, уеблэмэ и пэ иту зимыужьмэ, хузэфIэкIынур мащIэщ. — Зепхьа къулыкъухэм, узыпэрыта IэнатIэхэм нэхъ гугъуу хэлъар сыт? — Пэжыр жысIэнщи, псом нэхърэ нэхъ гугъур икIи нэхъ хьэлэмэтыр егъэджакIуэу улэжьэнырщ. Сэ пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэущ лэжьэн къызэрыщIэздзар. ГъащIэри дунейри яфIэгъэщIэгъуэну япэу школым къакIуэ цIыкIухэм уащыдэлажьэкIэ, ауэ къызэрымыкIуэу къаруушхуэ къуат. Ар лэжьыгъэшхуэщ, абы нэхърэ нэхъ IэнатIэ гугъу иджы къыздэсым сыпэрытауэ сщIэжыркъым. — Татьянэ, цIыхум хэлъыпхъэ хьэл-щэнхэм щыщу сытра япэ ибгъэщыр? — Псэ къабзагъэрщ. ФэрыщIагъ зыхэлъым Iэмал зэриIэкIэ, пэIэщIэ зэрызыщысщIыным яужь ситщ. Дапхуэдизу гъащIэр гугъу мыхъуами, зигурэ зи псэрэ къабзэм нэхъ лъагъугъуафIэ щыIэкъым. — ГъащIэ гъуазэу жыIэгъуэ е псалъэжь уиIэ? — НэхъапэкIэ жысIам къытезгъэзэжынщи, сыт щыгъуи седжэну зэрысфIэфIым ехьэлIауэ, жысIэрейщ: ехъулIэныгъэм, насыпым уи Iэ зэтедзауэ ущыскIэ, укъилъыхъуэнукъым, хьэрычэт пщIыр берычэт мэхъу. Уи мурадхэмрэ зыхуэбгъэувыж къалэнхэмрэ нэхъ иныху, нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ абыхэм уахуэкIуэху, нэхъыбэ къохъулIэнущ. Псом хуэмыдэу нобэрей зэманым IэмалыфI куэд кърет зи щIалэгъуэм. Пэжщ абыхэм яхэтщ лэжьапIэ ямыгъуэту, я улахуэр яфIэмащIэу тхьэусыхэ куэд, ауэ лъыхъуэм къегъуэт. Щхьэусыгъуэ улъыхъуэмэ, щхьэусыгъуэ бгъуэтынущ, IэнатIэ улъыхъуэмэ, лэжьапIэ къэбгъуэтынущ. Псори занщIэу къызэхъулIа щыIэкъым, нэхъ цIыкIумкIэ, нэхъ мащIэмкIэ къыщIэбдзэу, уи зэфIэкIыр къэбгъэлъагъуэурэ адэкIэ укIуэн хуейуэ аращ. IуэхуфI куэд къыщаIэт ди республикэм, щIалэгъуалэм я зэфIэкIрэ щIэныгъэрэ щагъэлъэгъуэн утыкухэр ират, ауэ иджыри зэ къытезгъэзэжынщи, а псори фIыщ мурад зиIэм дежкIэ. ЩIалэгъуалэм я дуней еплъыкIэр убзыхуа хъунымкIэ къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ адэ-анэм. И зэманым къечэнджэщу, фIымрэ емрэ зэхэхауэ къыжраIэу, зыщIэхъуэпсым трагъэгушхуэу, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, быным и мурадхэмрэ зэгупсысымрэ щыгъуазэу, зы унагъуэм исхэр зэпсэлъэфу, зэчэнджэщыфу щытын хуейщ. — Уи мурадхэр зыхуэдэм, къалэну зыхуэбгъэувыжхэм дыщыбгъэгъуэзэфыну? — Ахэр куэд мэхъу. Псом нэхърэ нэхъапэращи, си къуэм илъэс дэкIмэ университетыр къеухри, абы дзэм къулыкъу щищIэу, адэкIэ зыпэрыувэну лэжьыгъэ IэнатIэм хэзэгъа зэрыхъунум сегъэпIейтей. Си мурадхэм я гугъу пщIымэ, къысхуагъэфащэмэ, КъБР-м и Парламентым и 5-нэ зэхуэсым и хэхыныгъэхэми сыхэтыну си мурадщ. Сыхуейщ республикэм сэбэп сыхуэхъуну. Псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм садэлэжьэфыну сыкъегъэгугъэ. Ди щIалэгъуалэм я гугъу пщIымэ, къыхэзгъэщыну сыхуейт арэзы укъэзыщI, узыщыгуфIыкIын щIэблэ дызэриIэр. ЖызыIэ щыIэщ щIэблэр зыIыхьауэ, зыри хуэмейуэ. Ар сыт зэмани къекIуэкI хъущIэ къудейуэ къысщохъу. ФIым хуэпабгъэ ныбжьыщIэ куэд диIэщ. Сэ абыхэм сахэтщи, ар хьэкъыу спхыкIащ. ИкъукIэ сфIэфIщ щIалэгъуалэм садэлэжьэну, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ къыхуэбгъуэтыфынущ, ахэр къыпфIэIуэхумэ. — ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм теухуауэ сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэнт ди газетеджэхэм. — Дунейм и щIэрэщIэгъуэм, и дахэгъуэм и япэ махуэшхуэщ ар. Дунейр къоуш, абы дэщIыгъууи цIыхупсэри къощIэращIэ. Сэ къэрал куэдым сыщыIащи, шэч къытезмыхьэу жысIэфынущ ди цIыхубзхэм хуэдэу дахэ абыхэм зэрыщызмылъэгъуар. Ахэр дахэ къудейкъым: зэманым докIу, езыхэр акъылыфIэщ, щIэныгъи ябгъэдэлъщ, зэрыжаIэщи, я жьэгу мафIэри яхъумэ. Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхубзым дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэр и унагъуэращ, абы нэхъапэ зыри щыIэкъым. ЗэрыжаIэщи, цIыхухъум унэм и зы къуапэр ихъумэмэ, цIыхубзым адрей къуапищри и нэIэ щIэтын хуейуэ къытохуэри, дэтхэнэми и жьэгу мафIэр зэхэмыкIыжу ихъумэну си гуапэщ. Республикэм ис анэхэм бын гузэвэгъуэ ямылъагъуу, нысащIэхэм я щхьэгъусэ щIамылъхьэу, республикэм мамырыгъэр щытепщэу, сабий нэхъыбэ къыщалъхуу — ахэращ хъуэпсапIэхэм я нэхъыщхьэр. Бзылъхугъэхэм я махуэм и мызакъуэу, илъэсым и кIыхьагъкIэ абы гулъытэ игъуэтыну, унагъуэм исхэр зэрыгъафIэу, зэрылъытэу зэдэпсэуну сахуохъуахъуэ! Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25802.txt" }
Людмилэ и къару къигъэхъуапIэр ЗэфIэкI зиIэу республикэм ис бзылъхугъэ насыпыфIэхэм ящыщщ Урысей къэрал телерадиокомпанием и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Къэзанш Людмилэ. Къэзанш Людмилэ ЦIыхур нысыпыфIэу къалъытэ зыпэрыт IэщIагъэр и гум, и псэм дыхьэмэ, абы дэрэжэгъуэ къритмэ. А лъэныкъуэмкIэ Къэзаншыр зи кIэн къикIахэм ящыщу жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Людмилэ республикэм и егъэджэныгъэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэ зэхуэмыдэхэм Iутащ, дэтхэнэми ехъулIэныгъэ щиIэрэ и къалэнхэр пылъхьэншэу щигъэзащIэу. 1990 гъэм лэжьэн щыщIидзащ Налшык и курыт еджапIэ №20-м, урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ егъэджакIуэу. ИужькIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспонденту, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIу лэжьащ. «Си бзэ, си псэ — си дуней» республикэпсо зэпеуэр зыублахэм яхэтащ. 2001 гъэм Людмилэ Урысей къэрал телерадиокомпанием и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм ирагъэблэгъащ IуэхущIа-пIэм и щIалэгъуалэ редакцэм и унафэщIу лэжьэну, адэкIэ телевиденэм и хъыбарыщIэ IэнатIэм и шеф-редактор хъуащ. 2004 — 2006 гъэхэм Москва дэт «ВКТ» телекомпанием редактору щылэжьащ, 2005 гъэм щыщIэдзауэ ВГТРК-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэу, 2009 гъэ лъандэрэ абы и унафэщIу мэлажьэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, унафэщI IэкIуэлъакIуэм, бзылъхугъэ гумызагъэм и лэжьыгъэм псом я щхьэу къыщилъытэр нэтынхэр щIэщыгъуэ ящищIурэ телевизореплъхэр къыдихьэхыныр зэрыарар. Телевиденэм къекIуалIэ щIалэхэмрэ хъы-джэбзхэмрэ я зэфIэкI къагъэлъэгъуэфынымкIэ Людмилэ ядоIэпыкъу, чэнджэщ щхьэпэхэр ярет. И лэжьыгъэм щиIэ ехъулIэныгъэфIхэр къалъытэри, КъБР-м и Правительствэм, республикэм и Iэтащхьэм, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм я фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ. — Узыпэрыт IэщIагъэр фIыуэ плъагъунырщ ехъулIэныгъэхэм я къежьапIэр. Журналист лэжьыгъэм пэсщIын зыри щыIэкъым. Нобэр къыздэсым фIыщIэ ин яхузощI си гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуа журналистикэм сыхэзышауэ щыта цIыхухэм, — жеIэ Къэзанш Людмилэ. — Япэ лъэбакъуэхэр IэщIагъэм щыхэсча «Адыгэ псалъэ» газетым папщIэ «си дыщ жьантIэ» жызоIэ. Къыздэлэжьа псоми фIыщIэ ин яхузощI, я махуэ лъапIэмкIи цIыхубзхэм сохъуэхъу. Газетым и лэжьакIуэхэми, ар зи унагъуэ къихьэ дэтхэнэми насыпрэ гуфIэгъуэкIэ сахуоупсэ! Лэжьыгъэм щимызакъуэу, унагъуэ насыпкIи Тхьэр зыхуэупсахэм ящыщщ Людмилэ. Абырэ и щхьэгъусэмрэ зы къуэрэ зыпхъурэ зэдапIащ, гъащIэ гъуэгу трагъэуващ. Ипхъу Оксанэ политтехнолог IэщIагъэм Москва щыхуеджащ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатым и дэIэпыкъуэгъуу мэлажьэ. «Россельхознадзор»-м и республикэ центрым и IэщIагъэлI нэхъыщхьэщ Ислъам. Оксани Ислъами я щIэныгъэм хагъахъуэ, тIури аспирантурэм щоджэ. Людмилэ зэрыжиIэмкIэ, гъащIэр къызэрыхуэупса тыгъэ нэхъыщхьэ дыдэр илъэсищ хъу и пхъурылъху гъэфIэн Даянэ цIыкIущ. И бынхэми и лэжьыгъэми гу ящихуэну Людмилэ дохъуэхъу. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25805.txt" }
Си анэм деж Мыкъуэжь Анатолэ Зауаем илыпщIащ уи сабиигъуэр, ХадапщIэм уахэтащ уи къэжэпхъыгъуэм, Уэ уащыщащ зыгъэунэхуахэм гъаблэр, Пхъэ дамырыхьми зыхэпщIащ и хьэлъэр… Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын… ЛэжьапIэм, унэм я кум удэмыкIыу, Уи гъащIэр епхьэкIащ хьэзабхэмыкIыу. Дакъикъэ быным уатеплъэкъукIакъым, Уэ зыри мы дунейм теплъагъукIакъым… Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын… Зы дыщэхэкIи уэ зыкIэрыплъхьакъым, Зы туфлъэ екIуи уэ зылъыптIэгъакъым. Сыт хуэдэу уэ уэкIунут бостей лъапIэ, ЕкIунут уи лъэхэм алэрыбгъу щабэ… Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын… Хьэлэлу сыхуэлажьэми къэралым, СомитI я кIапэ схузэтеубыдакъым. ЦIыкIуфэкIухэр мыхъумэ, арэзы сыкъищIу, Зы фэилъхьэгъуи къыпхуэсщэхуфакъым… Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын… Зы псалъэ дыджи уэ къыбжьэдэкIакъым, Уи жагъуэ къащIкIи – жэуап пхуетыжакъым. Уи псэ хеищэм къегъэнэху уи нэгур, Уи нэгум къегъэнэху узыдэс жьэгур… Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын… Анэшым сыщыцIыкIум сыкъэнамэ, Нэху згъэщт, сыпхуэзэшауэ сыгъынанэу. А гъэхэм сфIощI си деж къагъэзэжауэ, Сыдэсыжыфкъым къалэм уэрыншауэ… Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын… Куэд мыщIэу къуажэм сынэIэпхъуэжынущ, Уи жьыщхьэр згъафIэу сыббгъэдэсыжынущ. Уи щхьэнтэр тыншу узгъэгъуэлъыжынущ, Уи шхыныр хуабэу укъэзгъэтэджынущ… Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын… ЗызэщIэдгъакъуэу, ди Iэр зэрыIыгъыу, БжэIупи хади укъыщесшэкIынущ. Апхуэдэу уэрэ сэрэ дызэщIыгъумэ, Уи баш хьэншакъри сыт зэрыпщIыжынур? Дэтхынщи ар – блэкI гуэрхэм еттыжынщ… Си анэ тхьэмыщкIэу си псэр зэзгъэшхын…
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25809.txt" }
Зи IэщIагъэм хуэпэж Iэдэбу, гудзакъэ иIэу, хьэл-щэн дахэ хэлъу, щэныфIэу гъащIэм къыдэгъуэгурыкIуэ цIыхум хужаIэ: «Угъурлыщ, къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэщ». Мис апхуэдэхэм ящыщщ Бахъсэн къалэм къыщалъхуа, щапIа, зи гъащIэ псом и IэфIыр ухуэныгъэ IэнатIэ мытыншымрэ и унагъуэ дахэмрэ хьэлэлу езыт КхъуэIуфэ Иринэ. КхъуэIуфэ Иринэ Унагъуэшхуэм къыщыхъуа хъыджэбз цIыкIур курыт еджапIэм щыщIэсам адрейхэм куэдкIэ къахэщхьэхукIырт, школ гъащIэм щыжыджэрт, есэпым хуэгурыхуэти, абы лъэныкъуэ куэдкIэ зригъэузэщIырт. ЗэрыбыниплIым я нэхъыщIэти, зыдэплъеинрэ щапхъэ зытрихынрэ и гъунэжт. И адэ Борис Бахъсэн районым механизацэмкIэ и профтехучилищэм и тхьэмадэт, и анэр къалэм дэт дэрбзэр IуэхущIапIэм и унафэщIти, абыхэм я лэжьэкIэр, я гуп хэтыкIэр дерс нэс хуэхъурт, езыр гуащIафIэу къэхъурт. И анэм и IэщIагъэм хуэIэзэ хъуати, зыхуейр идыныр мастэнэ зэфIиуауэ къыщыхъуртэкъым, апхуэдэу тыншу къехъулIэрти. Курыт еджапIэр фIы дыдэу къэзыуха пщащэм и лъагъуэ щыпхишыжын хуей зэманыр къыщысым, куэдрэ гупсысакъым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и инженер-техникэ факультетым промышленно-граждан ухуэныгъэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьэри, ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. И гум дыхьэу, и псэм къищтэу къыхих IэщIагъэр цIыхум къыдалъхуу жаIэ. Абы щыхьэт техъуэ нэщэнэхэм куэдрэ гъащIэм дыщрохьэлIэ. Арагъэнщ архитектурэмкIэ предметхэр куууэ щIиджар, абы и щэхухэм нэхъуеиншэу зыщIыхигъэгъуэзар. ЗэманыфI дэкIащ КхъуэIуфэ Иринэ къыхиха IэщIагъэм зэрырилажьэрэ, ауэ зы махуи абы хущIегъуэжакъым. «Сельстрой» трестым зэрыщыщIидзэрэ нобэрэ я зэхуакум къриубыдэу псы Iэджэ ежэхащ, къэралми, республикэми зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ. А псом къадэунэхуа гугъуехьхэр и нэгу щIэкIам и мызакъуэу, и щхьэкIи игъэунэхуащ. Арами, зыпэрыт IэнатIэм жэуаплыныгъэшхуэ зэрыпылъыр зэи IэщIэхуакъым, и жыджэрагъым кIэрыхуакъым, IэщIагъэлI губзыгъэу, унафэщI Iэзэу, пхыгъэкIакIуэ, къызэгъэпэщакIуэ нэсу зыкъигъэлъэгъуащ. ЕкIуу, уи пщIэр пIыгъыжу укъэгъуэгурыкIуэну тыншкъым. Ар зыхуэгъэкъарур, абы пэлъэщыр и дэтхэнэ махуэри купщIафIэу сэбэп зыпылъ IуэхухэмкIэ зыгъэнщIхэрщ, дыгъуасэр нобэм, нобэр пщэдейм пызыщIэхэрщ, Iуэху щхьэпэхэм пызыщэхэрщ, ипэкIэ плъэхэрщ. А пщалъэмкIэ убгъэдыхьэмэ, Иринэ ящыщщ зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ бгъэдэтхэм, и дуней тетыкIэ дахэмкIэ, и цIыху хэтыкIэмкIэ зи пщIэрэ зи нэмысрэ зыIыгъыжхэм. ПхуэмыIуэтэщIыну емызэшщ, зэ- пIэзэрытщ, и щIэныгъэ куур IэнатIэм егупсысауэ къызэрыщигъэсэбэпыным хущIэкъу зэпытщ. — СССР къэралыгъуэр щакъутэжым къыдэкIуа гугъуехь инхэм цIыхухэр ноби къыдоскIэ. Абы щыгъуэ экономикэр зэтезыгъэщэхахэм тхьэ щаIуэжырт совет лъэхъэнэм и зэманым лъэныкъуэ гуэркIи зыужьыныгъэ лъэпкъ ди гъащIэм хэмылъауэ, ди пIэм диуджыхь зэпыту дыкъекIуэкIауэ. Ауэ илъэс кIуахэм пэжыр наIуэ къащIащ. ДяпэкIэ дэ къэтпэщытщ зыужьыныгъэм къыдэкIуэу, «псэукIэщIэм» и телъхьэхэм «яIэщIэкIауэ» щыта щыуагъэхэр зэрыдгъэкIуэдынум жыджэру дытелэжьэну. Зэманым псалъэкIэ зыдедгъэкIу къудейкIэ зэфIэкIынукъым, атIэ ар зэпымыууэ Iуэху нэрылъагъухэм- кIэ щIэдгъэбыдэн хуейщ, — жеIэ КхъуэIуфэм. Дауи, зи къаруилъыгъуэ дыдэу а псом и курыкупсэм хэта, «зэблэкIыгъуэ» зыфIаща зэманым къыдэунэхуа гугъуехь инхэм «яутхыпщIа» архитектор цIыхубз щыпкъэм щIэмыарэзынрэ зыхуэмыарэзынрэ и мащIэкъым. Сыту жыпIэмэ, къалэнышхуэхэр къапэщытщ, зэфIэхын хуей Iуэхугъуэхэр зэуIуу ямыунэтIмэ, гъащIэм дыкъыкIэрыхунущ. Налшык къалэ администрацэм архитектурэмрэ къалэ ухуэныгъэмкIэ и управленэм и лэжьыгъэр щиунэтIами, Къэбэрдей-Балъкъэрым ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ и министрым и къуэдзэ къалэныр щрихьэкI мы зэманми абы и акъылри и гупсысэри зытегъэпсыхьар «Къалэухуэ лэжьыгъэхэм я IуэхукIэ» республикэм и Законым щыубзыхуахэр гъэзэщIэныр къызэгъэпэщынырщ. — КъБР-м и ЩIыналъэр зэраубзыхуну схемэм и проектыр 2022 гъэ пщIондэ республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и стратегием щыгъэбелджылащ. — Иужьрей зэманым зэфIэдгъэкIа лэжьыгъэшхуэхэм ящыщу къэбгъэлъагъуэ хъунущ Налшык къалэм и КъуэкIыпIэ лъэныкъуэм щыдухуэну псэупIэ хьэблэм и проектыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэкIэ ар ягъэхьэзыращ «АТТИК», «А.К. Центр Проект» ООО-хэм. Проектыр гектар 246,6-м тещIыхьащ. Абы и псэупIэ фондыр метр зэбгъузэнатIэ зы мелуанрэ мини 133-рэ 280-рэ, социально-щэнхабзэ IэнатIэхэр, IуэхутхьэбзэщIапIэхэр метр зэбгъузэнатIэ мин 755-рэ 90-рэ, транспорт гъэувыпIэхэр мин 11-рэ 219-рэ мэхъу, курыт еджапIэу 5, сабий гъэсапIэу 22-рэ хохьэ. Хуэфащэ мылъку хузэщIагъэуIуэмэ, ухуэныгъэм зэрыщIадзэнум псори хуэхьэзырщ, — жеIэ Иринэ. – Бахъсэн къалэм и ищхъэрабгъу лъэныкъуэм гектаритхум щаухуэну псэупIэхэм я проектри хьэзырщ. Урыс усакIуэшхуэ Пушкин Александр Май къалэм пэмыжыжьэу зыщигъэпсэхуа жыгейм и Iэшэлъашэр ди проекткIэ зэIузэпэщ ящIащ: аттракцион щагъэуващ, лъэс зекIуапIэ екIухэр щаухуащ, тетIысхьэпIэхэр щагъэуващ, уэздыгъэхэр щыфIадзащ, ихъуреягъкIэ ягъэщIэрэщIащ. Иджы а жыг хадэ цIыкIум цIыхухэм дихьэхыу зыщагъэпсэху. Нартан къуажэкур зэIузэпэщ зэращIыну проектри дгъэхьэзыращ, нэгъуэщI лэжьыгъэ Iэджи диIэщ, дяпэкIэ къытпэщытхэри ди мурадхэри нэхъ мащIэкъым. КхъуэIуфэ Иринэ я къалэн нэхъыщхьэм теплъэкъукIыркъым. Муниципальнэ щIыналъэхэм я архитектурэ, къалэухуэ къудамэхэм я IэщIагъэлIхэр я щIэгъэкъуэну къалэ округхэмрэ районхэмрэ я генеральнэ планхэр зэхуагъакIуэ, зыхуэфащэ тхылъхэр ягъэхьэзыр. Абы хохьэ щIыналъэубзыху схемэхэр, щIыр къызэрагъэсэбэп, ухуэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкI хабзэхэр, нэгъуэщI куэди. Ар пэжыр япэ изыгъэщ унафэщIщ, IэщIагъэлIщ, анэ гумащIэщ. ИщIэр зэрыфIэмащIэм, и гур фIымрэ дахагъэмрэ зэретам гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. И Iуэху зехьэкIэмкIэ, бгъэдэлъ щIэныгъэ куумкIэ а псор Иринэ къилэжьыжащ. Лэжьыгъэмрэ цIыхугъэмрэ зэщIыгъумэ, Iуэхур докI. ПсэкIи ныбжьэгъукIи зэрыкъулейм къару къыхелъхьэ, гукъыдэж кърет, и лъэр щIегъэкI. Урысейм и Архитекторхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и ухуакIуэ КхъуэIуфэ Иринэ и унагъуэкIи насыпыфIэщ. И щIалэ Алим щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтауэ программисту мэлажьэ, ипхъу ФатIимэ Псыхуабэ къэрал лингвистикэ университетым и етIуанэ курсым щIэсщ. Ахэр и гурыфIыгъуэу, щыIэм я нэхъыфIхэр яхузэпищэу къэгъуэгурыкIуэ анэ гумащIэ, лэжьыгъэ щхьэпэ езыхьэкI архитектор Iэзэ, IуэхуфIхэр зи Iэужь КхъуэIуфэ Иринэ мурадыфIхэр иIэу я махуэ лъапIэм IуощIэри, дяпэкIи Тхьэм хущIигъэхьэ. ХЬЭЖЫКЪАРЭ Алик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25811.txt" }
Президентым и япэ чэнджэщэгъу Илъэс 20-м нэблэгъауэ ди республикэм и политикэ гъащIэм куууэ хэтщ Уянаевэ Аминат Мухътар и пхъур. Аращ бзылъхугъэхэм ящыщу япэ дыдэу КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъуу ягъэувар. Социальнэ, экономикэ Iуэхухэр и къалэнхэм хыхьэу, ар нобэми мэлажьэ. Уянаевэ Аминат Аминат къыщалъхуар Къэзахъстанращ, къыщыхъуар къалащхьэм пэIэщIэ Балъкъэр Ипщэ жылэрщ. Абы курыт еджапIэр дыщэ медалкIэ къыщеухри, Москва Ерыскъыпхъэ промышленностымкIэ и технологие институтым щIотIысхьэ. Ар 1974 гъэм къиухащ, инженер-экономист IэщIагъэр зригъэгъуэтауэ. Аминат лэжьэн щыщIидзар КъБАССР-м Ерыскъыпхъэ промышленностымкIэ и министерствэрщ. Куэд дэмыкIыу Налшык щIакхъуэ-IэфIыкIэ комбинатым и экономикэ къудамэм и унафэщIу ягъэкIуащ, итIанэ апхуэдэ къулыкъу дыдэ Ерыскъыпхъэ промышленностымкIэ министерствэм и пщэ къыщыдалъхьащ. 1992 гъэм КъБР-м и япэ Президентым социально-экономикэ политикэмкIэ и чэнджэщэгъу мэхъу. Абы лъандэрэ а къулыкъур ирехьэкI Аминат. Уянаевэм махуэ къэс зэфIигъэкIын хуейуэ и пщэ къыдэхуэ Iуэхухэр мащIэкъым. А псоми къадэкIуэу, ар Iэтащхьэм, Правительствэм деж щыIэ Совет, комиссэ зыбжанэм хэтщ. Ар сыт щыгъуи Iуэхум хищIыкIыу холэжьыхь гъэзэщIакIуэ органхэм къащтэ дэфтэрхэм. Республикэм и экономикэм хэлъхьэныгъэшхуэхэр зэрыхуищIам, а IэнатIэм куэд щIауэ зэрыпэрытым папщIэ Уянаевэ Аминат къыхуагъэфэщащ «УФ-м экономикэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, апхуэдэуи КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр къратащ. И IэнатIэ нэхъыщхьэм зэман куэд зэрихьми емылъытауэ, Аминат гулъытэшхуэ хуещI жылагъуэ Iуэхуми. Абы дэтхэнэ цIыхуми зэрепсэлъэн бзэ къегъуэтыф, сыт щыгъуи гуапагъэ и нэгу кърихыу апхуэдэщ. Ар дэнэ зэхыхьэ щумылъагъуми, и зыIыгъыкIэм, зэпIэзэрытыгъэм, дахэу зэрыпсалъэм, зэрызихуапэм гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдэщ Аминат — республикэм и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу бзылъхугъэ гуакIуэр. Шыпш Даянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25815.txt" }
Шэт Ирмэ: Дохутыру сылэжьэныр куэд щIауэ си хъуэпсапIэт Иджырей зэманым къэрал къулыкъущIапIэхэм бзылъхугъэ нэхъыбэ щылажьэ хъуащ. Шэч хэмылъуи, ар къызыхэкIыр я акъылкIи я зэфIэкIкIи ахэр утыкушхуэм ихьэфыну зэрыщытыр жылагъуэм наIуэщ зэрыщащIыфырщ. Абы и лъэныкъуэкIи ди республикэм и мащIэкъым зэрыгушхуэн бзылъхугъэ щыпкъэхэр. Ахэр зыпэрыт IэнатIэхэм я пщэ къыщыдэхуэ къалэнышхуэхэр тэмэму зэрызэфIахыным, дзыхь къахуэзыщIахэм я пащхьэ щахь жэуаплыныгъэр нэсу зыхащIэрэ цIыхубэр къазэрыщыгугъым хуэдэу къазэрыхущIэкIыным хущIэкъуу апхуэдэхэщ. Абыхэм ящыщщ мы гъэм и пэщIэдзэм КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр къулыкъур зыхуагъэфэща Шэт Ирмэ Мухьэмэд и пхъур. Шэт Ирмэ Ирмэ Налшык къалэ къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха иужь, ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ факультетым. ИужькIэ Москва кIуэри, абы ординатурэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. — Си адэ-анэр медицинэм зыкIи пыщIакъым, ауэ сызэрыцIыкIурэ ахэр щIэхъуэпсырт сэ дохутыр сыхъуным, — жеIэ Ирмэ, и IэщIагъэр къыщIыхихам и щхьэусыгъуэм и гугъу щищIкIэ. — Сыкъэзылъхуахэр апхуэдэу къызэрысщыгугъыр пасэу зыхэзыщIа сэри, а IэщIагъэр зэзгъэгъуэтыныр си хъуэпсапIэ хъуащ. Медицинэм и унэтIыныгъэхэм ящыщу нэхъ куууэ иджынур, IэщIагъэ хуэхъунур къыщыхихым, неврологием тригъэщIащ. – Абы сыщIыдихьэхар а унэтIыныгъэмкIэ зэфIагъэкIар нэхъ мащIэу, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къэхутэныгъэ нэхъыбэ щыпхуегъэкIуэкIыну зэрыщытырщ, — жеIэ Шэтым. — Щапхъэ схуэхъуащ икIи нобэ си IэщIагъэм гъуазэу щызиIэщ си егъэджакIуэ, невролог, нейрофизиолог, РАМН-м и член-корреспондент, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Скворцовэ Вероникэ. Ар гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи узыдэплъеин, зи Iуэху еплъыкIэ зиIэж цIыху телъыджэщ. Москва дэт сымаджэщхэм ящыщ зым и къудамэ зэхуэмыдэхэм щылэжьащ Ирмэ, иужькIэ аспирантурэм щIэтIысхьэжри, щIэныгъэ Iуэхум нэхъ куууэ зритащ. Апхуэдэу щытми, сымаджэхэм якIэлъыплъынри IэщIыб ищIакъым. Иджыпстуи зэрыхъукIэ и IэщIагъэ нэхъыщхьэм – дохутырым — зэрырилэжьэным хущIокъу, езым и нэIэм щIэту зэIэзэ сымаджэхэр иIэщ. — Дэтхэнэ дохутырри хуэныкъуэу щытщ зэрыхузэфIэкIкIэ сымаджэм зэрыдэIэпыкъуным, — жеIэ Ирмэ. — Ар IэщIагъэр къыхэзыхахэм я лъым хэтщ жыхуиIэм хуэдэщ. Уи зэфIэкIыр, уи Iэзагъэр зыгуэрым сэбэп хуэбгъэхъурэ, сымаджэм нэплъэжыгъуэ ептыжыфмэщ, уи IэщIагъэм арэзыныгъэ къыщыпхуихьыфынур. Мыбдежым къыщыхэзгъэщыну сыхуейт зи IэщIагъэм хуэмыIэкIуэлъакIуэ дохутырхэм ятеухуауэ екIуэкI псалъэмакъхэм егъэлея зэрыхэлъыр, ди медицинэ лэжьакIуэхэм куэду яхэтщ Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъхэр, Гиппократ и тхьэрыIуэм хуэпэжхэр. Си щхьэкIэ сыхущIэкъунущ иджырей гупсысэкIэ зиIэ, и IэщIагъэм хуищI пщIэр зи IэзагъкIи зэфIэкIкIи наIуэ къэзыщIыф дохутырхэм я медицинэ зэгухьэныгъэ лъэщ республикэм иIэным. Дзыхь къыхуащIа лэжьыгъэм япэ махуэхэм щыщIэдзауэ и гуи и пси етауэ пэрыхьащ Ирмэ. Лэжьэгъуэ махуэм щIидзэнум иджыри сыхьэт бжыгъэ иIэу и IэнатIэм пэрохьэ ар. Махуэр къыщIедзэ медицинэ сайтхэм щIэуэ къралъхьахэр зригъащIэу, дэфтэрхэм хэплъэу. ЗэрыхъукIэ махуэ къэс районхэм языхэзым и сымаджэщхэм макIуэ, абыхэм я лэжьыгъэр зэрекIуэкIым нэхъ гъунэгъуу щыгъуазэ зыхуещI. Шэтым гулъытэ нэхъ зыхуищIхэм ящыщщ медицинэ лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм хэгъэхъуэныр икIи абы и лъэныкъуэкIэ щIэх-щIэхыурэ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр зыхэт конференцхэр, семинархэр къызэрегъэпэщ. — Республикэм узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр къулыкъур къысхуагъэлъэгъуэныр зыкIи сызыпэмыплъа Iуэхущ, — жеIэ Ирмэ. — Сэ доктор диссертацэр зэрыстхыным зыхуэзгъэхьэзырырт, абы и ужькIэ дохутыру сылэжьэну си мурадт. Арат илъэс куэд лъандэрэ сызыхуэкIуэ хъуэпсапIэр. АрщхьэкIэ апхуэдэу зыкъыщысхуагъазэм, сыкъыщыхъуа щIыналъэм, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр егъэфIэкIуэным си гуащIэрэ си зэфIэкIрэ хуэзгъэлэжьэну Iэмал къыщызаткIэ, ар къэзмыгъэсэбэпыныр къызэремызэгъым си гупсысэр хуэкIуащ. Сэ апхуэдэ дзыхь къыщысхуащIакIэ, ар схузэфIэкIыну икIи си къалэну зэрыщытыр къызгурыIуащ. Си адэ-анэми си щхьэгъусэми Iуэхур къыщыздаIыгъым, сытегушхуэри, сыпэрыуващ IэнатIэм. Сызэрылэжьа зэман мащIэм куэдым щыгъуазэ сыхуэхъуну сыхунэсащ. Республикэм сэ сызэрикIрэ илъэс 15 мэхъури, абы лъандэрэ фIыуэ зихъуэжащ. Си лэжьыгъэкIэ Урысей Федерацэм и хэгъуэгу куэдым сыщыIэну къысхуихуащи, абыхэм езгъапщэкIэрэ, шэч къытезмыхьэу схужыIэнущ, ди республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм фIыуэ зэрызиужьар. Пэжщ, иджыри зэфIэгъэкIыпхъэхэр мащIэкъым, ауэ гугъуехь гуэр узыщримыхьэлIэ зы IэнатIи щыIэкъым. Нэхъыщхьэращи, тхузэфIэмыхын Iуэху щыIэу слъагъуркъым. Республикэм и Iэтащхьэм Iуэхур къызэрыздиIыгъыр си дежкIэ куэд и уасэщ, абы узыншагъэр хъумэн IэнатIэм къыщытпэплъэ Iуэхухэр ехъулIэныгъэ диIэу зэрызэфIэтхыфынумкIэ гугъэшхуэхэр къысхелъхьэ. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25819.txt" }
Фи дунейр ефIакIуэу Ди лъэпкъым псалъэжь куэд иIэщ адыгэ бзылъхугъэм теухуауэ. «ЩIалэр унагъуэм щхьэкIэ, пщащэр лъэпкъым щхьэкIэ япI», «Бзылъхугъэ зыдимыс хъулъхугъэрэ зи анэ зи мыгъусэ сабийрэ зэхуэдэщ», нэгъуэщIхэри. Куэд къеIуатэ пасэрейм я гупсысэм. ИкIи шэч къытетхьэркъым адыгэ бзылъхугъэм унагъуэмрэ жылагъуэмрэ дежкIэ зищIысым зы маскъали зэрыкIэрымыхуам. Нобэрей махуэшхуэр къэдгъэсэбэпу, ди Iуэхухэри ди гъащIэри сыт и лъэныкъуэкIи къытщызыгъэпсынщIэ ди анэхэм, шыпхъухэм, щхьэгъусэхэм дехъуэхъуну дыхуейщ я псалъэр IэфIрэ я дунейр ефIакIуэу, я нэмысыр инрэ я акъылыр изу, я гур щIыхэхъуэн Iуэхурэ я Iуэхур ядэзыIэтын цIыхурэ щымыщIэу куэдрэ тхуэпсэуну! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25822.txt" }
Гъатхэм догъагъэ цIыхубзыр Япэ ажэгъуэмэхэм, гъатхэ дыгъэм псэр догуфIэ. ЦIыхухъухэм «Дуней псор тыгъэ пхуэсщIыну сыхьэзырщ» щыжаIэ махуэшхуэр, гъатхэпэм и 8-р, къэсащ… Удз гъэгъахэр зэблах, бзылъхугъэхэм хуащIыну саугъэтхэр хьэзырщ… Гъэлъэгъуэныгъэм куэд къыбжиIэрт Тыгъэ лъапIэ иджыблагъэ цIыхубзхэм хуищIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм. Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и япэ къатым къыщызэIуахащ гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт. Лъэпкъ музейм и унафэщIым и къуэдзэ Хьэщэ Иринэ щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, гъэлъэгъуэныгъэр теухуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыунэхуауэ щыта цIыхубз зэщIэхъееныгъэм и тхыдэм. «Нобэ дэ къыдогъэлъэгъуэж 1900 гъэм къыщыщIэдзауэ 1960 гъэ пщIондэ республикэм и цIыхубзхэр жыджэру зыхэта Iуэхугъуэхэр, — жеIэ Хьэщэ Иринэ. — ЦIыхубэм иджыри зэ нэрылъагъу ящыдощI а лъэхъэнэхэм мэкъумэшым, промышленностым, щIэныгъэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми бзылъхугъэхэм щызэфIагъэкIыу щыта лэжьыгъэ мытыншхэр. Мыбы къыщыхьащ дэфтэрхэри, сурэтхэри, тхылъхэри. ФIыщIэ яхудощI гъэлъэгъуэныгъэр къызэгъэпэщынымкIэ зыкъытщIэзыгъэкъуа псоми. Ахэр: Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал архивырщ, Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэрщ, «Горянка» газетырщ. Гъэлъэгъуэныгъэр щIэщыгъуэ ящI пасэрей лъэпкъ фащэхэм. Музейм и гъэтIылъыгъэхэм къищынэмыщIа, абыхэм яхэтт XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм адыгэ цIыхубзхэм зэрахьэу щыта фащэхэм ХьэцIыкIу Мадинэ къытрищIыкIа IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зыи. Блай Фузэ (щIэныгъэхэм я кандидат япэу хъуа бзылъхугъэ, дохутыр Iэзэ, жылагъуэ лэжьакIуэ), Къэшэж Иннэ (адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ), Зумакуловэ Танзиля (балъкъэр усакIуэ), нэгъуэщIхэри — гъэлъэгъуэныгъэм зи цIэ ущрихьэлIэ цIыхубз гуащIафIэхэм тхыгъэ щхьэхуэкIэ узыхуэупсэ мыхъун яхэткъым. Тхыдэм щыщу ЗэрытщIэщи, блэкIа лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэм мыхьэнэ зиIэ зэхъуэкIыныгъэхэр щекIуэкIащ. Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я цIыхубзхэм я япэ щIыналъэ зэхуэсыр 1922 гъэм щыIащ. Абы теухуауэ газет тхыгъэ зыбжанэ ихъумащ ди Лъэпкъ музейм. А зэманым жыджэру, псынщIэу къызэгъэпэща хъуат цIыхубз лъэщапIэхэр (щыгъыныгъуэхэр щад, цы щызэрахъэ), гупжьейхэр (щIэныгъэм, щэнхабзэм я фIыпIэр щадж), нэгъуэщI Iэджи. А псори зыхуэгъэзар республикэм и зыужьыныгъэрт. Бгырыс цIыхубзхэр хущIэкъурт я лэжьыгъэм профсоюзхэри жылагъуэ IуэхущIапIэхэри къыхашэну. Мыгувэу диIэ хъуащ IэнатIэ зезыхьэф цIыхубзхэр. Псалъэм къыдэкIуэу, Старэ Крепостым (иджы Бахъсэн къалэрщ) дэта цIыхубз клубым и унафэщI хъуат Сасыкъ Фаризэт. Дэным, хэдыкIым хуэIэзэ а бзылъхугъэм и лэжьыгъэм щыщIидза лъэщапIэ мыиным фабрикэ псо къыхэкIат. ИужькIэ, Фаризэт бгырыс цIыхубзхэм я клубым и унафэщIу хахыгъащ. Къэбэрдейм и промышленностым и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм цIыхубзхэр щылажьэ хъуат, абыхэм IэмэпсымэщIэхэр къагъэIурыщIэрт, IэщIагъэ мытыншхэр зрагъэхъулIэрт. Псом хуэмыдэу, ахэр я гуащIэ емыблэжу щылажьэрт IэфIыкIэхэр къыщыщIагъэкI фабрикэм. Зэман кIэщIым ехъулIэныгъэхэр зыIэрызыгъэхьа цIыхубзхэм я IуэхущIафэр республикэм и мызакъуэу, УрысеймкIи къыщалъытэ хъуат. Хэлъхьэныгъэшхуэ а лъэхъэнэм бзылъхугъэхэм зыхуащIахэм ящыщщ мэкъумэш IэнатIэр. Колхозхэм, совхозхэм щылажьэ цIыхубзхэр я къаруи я пси емыблэж жыхуаIэм хуэдэт. Абы щыгъуэм нартыху нэхъ бэв дыдэр кърихьэлIэжат Молотовым и цIэр зэрихьэу Советскэ районым щыIа колхозым щылэжьа Дэхъушокъуэ Къалэ и гупым. Правительствэм а цIыхубзым хуигъэфэщат медалхэмрэ орденхэмрэ. Аруан районым и цIыхубзхэм щапхъэу яIащ ГъукIэжь Хъаний. 1935 гъэм абы иIыгъа нартыхугъэкI звеном къратауэ щытащ Лениным и орденыр. 1937 гъэм Аруан районым и колхозхэтхэм Хъаний хахат КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату. Апхуэдэуи абы къыхуагъэфэщат «За добросовестный труд в Великой Отечественной войне» медалыр. Куэд къыбжеIэ мы бжыгъэм: 1930 гъэхэм ирихьэлIэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэхэм я процент 44-р цIыхубзт. Гъатхэ пшыхь Илъэси 100 ирокъу Бзылъхугъэхэм я махуэр Урысейм зэрыщагъэлъапIэрэ. Мы гъэми махуэшхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щаIэтащ. Гукъинэ пшыхьт цIыхубзхэм дежкIэ вэсэмахуэ Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щрагъэкIуэкIар. Удз гъэгъахэри, хъуэхъухэри, уэрэдхэри, къафэхэри — псори зыхуэгъэзар бзылъхугъэхэрт. — ЦIыхубз лъапIэхэ! Фи махуэмкIэ сынывохъуэхъу, фи гухэлъхэр къывэхъулIэну, фи мурадхэм фылъэIэсу гъащIэ дахэ къэвгъэщIэну си гуапэщ, — жиIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. Ар къеджащ республикэм и Iэтащхьэм къигъэхьа хъуэхъум. Тхыгъэм итт: «Правительствэмрэ Парламентымрэ къыдбгъэдэкIыу пщIэ зыхуэтщI ди цIыхубзхэм дынывохъуэхъу махуэшхуэмкIэ. Республикэм и Iуэхухэр и пэкIэ кIуэтэн папщIэ, фэ лэжьыгъэшхуэ ивогъэкIуэкI. Мамырыгъэм, зэгурыIуэныгъэм сыт щыгъуи фрителъхьэщи, фIыщIэ фхудощI. Псалъэ щхьэхуэхэмкIэ захуэдгъэзэну дыхуейт анэхэм. Гуапагъэр, хуабагъэр жьэгум изымыгъэкI бзылъхугъэхэм фи гуащIэр инщ. Дэ дыхущIэкъунщ фи гъащIэр зэIузэпэщу ефхьэкIыну. Узыншагъэ мыкIуэщI, фIыгъуэ, ехъулIэныгъэ фиIэну сыфхуохъуахъуэ». Я уэрэдхэр пшыхьым къекIуэлIа цIыхубзхэм тыгъэ хуащIащ ди уэрэджыIакIуэ цIыхухъухэм. УФ-м щIыхь зиIэ и артистхэу Ташло Алийрэ Батыр Мухьэдинрэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Зеущэ Iэуес, Адыгей Республикэм щIыхь зиIэ и артист Гуазэ Тимур, Теппеев Алим, Бэч Азэмэт, Абэнокъуэ Рустам, нэгъуэщIхэми. Лъэпкъ къэфэкIэхэр ягъэлъэгъуащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым, «Къафэ», «Терские казаки», «Балкария» «Амикс» ансамблхэм. Псом нэхъыщхьэ тыгъэр ягъэхьэзырат сабий нэхъ цIыкIу дыдэхэм. Ахэр я анэхэм теухуа усэхэм къеджащ, уэрэди жаIащ. Пэшым щIэса цIыхухъухэм хъуэхъу жамыIэу къагъэнэнт! Тау Пщыкъан чэзур къыщылъысым, жиIащ: «ЦIыхубзхэр къыхуигъэщIащ гуфIэгъуэмрэ лъагъуныгъэмрэ. Уегупсысмэ, гъащIэр зыдэщIэращIэри цIыхубзым и псэ телъыджэрщ. ЦIыхубзыр нэхъ бэшэчщ, ар анэщ. Дэтхэнэми сохъуэхъу и гъащIэр гъатхэ дахэм дэгъуэгурыкIуэну». БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25825.txt" }
Сынывэхъуэхъуу икIи сыфхуэхъуапсэу Гъатхэпэм и 8-р ЦІыхубзхэм я дунейпсо махуэщи, девгъэхъуэхъу узыншэну, насыпыфІэу, гугъуехьыншэу псэунхэу, гуфІэгъуэ щымыщІэнхэу… Согупсыс: псалъэ гуапэ куэд яжетIэми, цІыхубзхэр къэдмыгъапцІэу пІэрэ?! Пэжыр жыпІэнумэ, гъащІэм и хьэлъэр сыт щыгъуи цІыхубзым нэхъ тегъэщІауэ къокІуэкІ. Арагъэнщ ахэр къыщезыгъэудари. ЦІыхубзхэм я махуэр гъатхэпэм и 8-м щIытехуар зымыщІэ щыІэу къыщІэкІынкъым. Ауэ нэхъ щІалэхэм ящІэн щхьэкІэ иджыри кІэщІу къэтІуэтэнщи, дэри дигу къэдгъэкІыжынщ. ЗэрыжытІауэ, дунейм и хьэлъэр цІыхубзхэм ятегъэщІэпауэ къэгъуэгурыкІуэрт. 1857 гъэм гъатхапэм и 8-м Нью-Йорк къалэм дэт щэкІ зэІущэ фабрикэм щылажьэ гуащІэрыпсэу мин плІыщІым зыкъаІэтащ я Iуэхур хуагъэтыншыну, гугъуехьыр хуагъэмэщІэну жаIэу. Ауэ полицэр ебгъэрыкIуэри яубэрэжьащ, фабрикэр лъэхъуэщ хуэдэу ящІщ, бжэхэм ІункІыбзэ иратри, мафІэсышхуэ къагъэхъуащ, абы, нэхъыбэр цІыхубзу, цІыхуи 129-рэ хисхьащ. Ахэр щыщIалъхьэм, цІыху минипщІ нэхърэ нэхъыбэ Iуэхум хэтащ, цІыхубзхэм я гурыщІэр даІыгъыу, я гуауэр дагуэшу. 1910 гъэм шыщхьэІу мазэм и 26-27 махуэхэм етIуанэ Интернационалыр Копенгаген щекІуэкІащ. Нэмыцэ социал-демократ партым и пашэхэм ящыщу Цеткин Кларэ къыхилъхьэри, 1857 гъэм гъатхэпэм и 8-м яукIа бзылъхугъэ хейхэм я фэеплъу ягъэуващ дуней псом цІыхубзхэм я махуэу ар щагъэлъэпІэну. 1960 гъэхэм и кІэхэм а махуэр Америкэми щагъэлъапІэу щІадзащ. 1977 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м ООН-м унафэ къищтащ гъатхэпэм и 8-р ЦІыхубзхэм я дунейпсо махуэу зэрагъэбелджылым теухуауэ. ЦIыхубзхэр ди зэманым нэхъ тынш хъуауэ пIэрэ? ЦІыхубзымрэ цІыхухъумрэ зэхуэгъэдэным тедгъащIэурэ, цІыхухъу гуащІэ зыхуей Іуэху гугъухэри цІыхубзхэм ятедмыгъэщІауэ пIэрэ? Соплъри, сабийр зыпІыр, абы гугъу дехьыр цІыхубзращ. Унэр, пщІантІэр, жьыщIэн-тхьэщIэныр, пщэфІэныр, гуфIэгъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ пыщIа Iуэху хьэлъэхэр — мы псори зи фэ дэкIыр цIыхубзырщ. Абы къыщымынэу, унагъуэр зыхуэныкъуэнухэм егупсысри, ахэр къэзылэжь-къэзыхьри нэхъыбэу цІыхубзрауэ си гугъэщ. ЩакІуэ-щэхуакІуэу бэзэрым тетым я нэхъыбапІэри цІыхубзщ. Адыгэ хабзэкIэ цІыхубзыр унэм, пщІантІэм, хадэм фІэкІа щагъэлажьэу щытакъым. Губгъуэ Іуэху ирагъащІэртэкъым, щэн-щэхуэн Іуэхум хагъэтыртэкъым, гугъу щехьын щIыпIэ жыжьэ ягъакІуэртэкъым, зы хэгъэрей гъусэ хуащІырт. Унагъуэр зыхуэныкъуэр къэлэжьын-къехьэлІэныр цIыхухъум и къалэнт. Пэжщ, дунейм зихъуэжащ, цІыхубзыр мылажьэуи хъуну къыщIэкIынукъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, цІыхухъум абы и хьэлъэ гуэрхэр трихыфын хуейщ сабий, унагъуэ Iуэхухэм ящыщу. Сыхуитамэ, цІыхухъу гуащІэ зыхь IэнатIэ, лэжьыгъэ хьэлъэхэм цIыхубзхэр езгъэкIуэлIэнтэкъым. Абыхэм къекIур цІыхубз-сабий узыфэхэмкIэ дохутыр, хущхъуэщІ-хущхъуэщэ, тхакІуэ, усакІуэ, стIолым бгъэдэсу проект зэхэзыгъэувэ инженер хуэдэ IэщIагъэ- хэрщ. ЦІыхубзым щІыхь хуэзыщІ лъэпкъхэр, къэралхэр яужь итщ лэжьыгъэри унагъуэри здихьыфыну Iэмал иратыну. Псалъэм папщIэ, сабий зыгъуэтар сыхьэт бжыгъэ гуэркIэ нэхъ мащІэу мэлажьэ, уеблэмэ компьютеркIэ псори зэпыщIа щыхъуа зэманщи, унэм щIэсу зи къалэныр зыгъэзащIи щыIэщ. Дауи, цІыхубзыр нэхъыбэрэ и унагъуэм, и бынхэм яхэсмэ, анэдэлъхубзэр Іурилъхьэу, и лъэпкъ хабзэр хилъхьэу бын узыншэ ипІмэ, ар лъэпкъымкІи, къэралымкІи, цІыхубэмкІи нэхъ щхьэпэщ. Аращи, зэманым къыдит Iэмалхэр къэдвгъэгъэсэбэп. Гъатхэпэм и 8-м псалъэ гуапэ зэражетIэр, удз гъэгъа къазэрыхуэтщэхур хъарзынэщ, ауэ псом я щхьэр зыхуей хуэдгъэзэнырщ, дгъэфIэнырщ. Армырамэ, зы махуэ гулъытэм гъэпцIагъэ, фэрыщIагъ гуэр хэлъ хуэдэу мэхъу. Хъуажь Фахъри.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25832.txt" }
«Адыгэ макъ» газетыр — илъэс 90 1923 гъэм, дунейм и щIэрэщIэгъуэ гъатхэпэм и 8-м, хьэрып Iэлыфбейр и лъабжьэу адыгэбзэкIэ дунейм къытехьауэ щытащ ди къуэш республикэм (АР) къыщыдэкI «Адыгэ макъ» газетыр. ЦIыхубэм фIыуэ ялъагъу, тхыдэ гъуэгуанэ кIыхь къызэпызыча лъэпкъ газетым къыдэкIын зэрыщIидзэрэ нобэ илъэс 90 мэхъу. «Адыгэ макъ»! ЦIыхухэм я гур хэзыгъэхъуа, 500 къудей хъууэ къыдэкIа газетыр зыIэрыхьэхэми, зэрыхьэ унагъуэхэми зыжьэу жаIэр зыт — «ди бзэкIэ къыдэкIыну газетым и гъуэгур зэIухащ!». Япэ адыгэ газетыр зыгъэхьэзырар а лъэхъэнэм тхэным зезыта, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща КIэрашэ Темботщ. Газетым и фIэщыгъэцIэр зыбжанэрэ зэрахъуэкIащ: «Адыгэ макъ» (1923), «Колхоз быракъ» (1931), «Адыгэ псэукI» (1926), «Гъупчъэ-уат» (1929), «Социалистическэ Адыгей» (1938), «Адыгэ макъ» (1991). Ауэ абы сыт щыгъуи и къалэн нэхъыщхьэу къекIуэкIащ лъэпкъыбзэр, тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр хъумэныр, къыдэкIуэтей щIэб-лэм бзэр яIурылъхьэныр, адыгэ дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэм тепсэлъыхьыныр. Иджыри аращ «Адыгэ макъым» и щыIэкIэр. Газетым и журналистхэр хуэщхьэхыркъым цIыху, жылагъуэ гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэри къэгъэлъэгъуэным, цIыхубэр зыгъэпIейтейхэмрэ яфIэгъэщIэгъуэнхэмрэ тетхыхьыным, нэхъыщхьэращи, лъэпкъыбзэр хъумэным, егъэфIэкIуэным. «Адыгэ макъым» и зыужьыныгъэм, абы лъэпкъым и дежкIэ иIэ мыхьэнэм и гугъу щыпщIкIэ, къыхэгъэщыпхъэщ илъэс 20-м щIигъуауэ, зэкъуэш республикищым къыщыдэкI газетхэр «Адыгэ псалъэ» (КъБР), «Черкес хэку» (КъШР), «Адыгэ макъ» (АР) купщIафIэу зэрызэдэлажьэр. Абыхэм зэдагъэхьэзыр къыдэкIыгъуэхэм къыщаIэт ди лъэпкъым и псэукIэм, Кавказым мамырыгъэрэ зэгурыIуэрэ илъыным, тхыдэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI куэдми епха Iуэхугъуэхэр. Адыгэ Республикэм газетыр зи щIасэ и цIыхубэми «Адыгэ макъым» щыIэ ди лэжьэгъухэми дохъуэхъу заузэщIыну, я IуэхущIафэ дахэм лъэпкъым зыдиужьыну! «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэхэр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25835.txt" }
УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ — УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Хлопонин Александр ЦIыхубзэм я дунейпсо махуэ гъатхэпэм и 8-м теухуа и хъуэхъу Ди цIыхубз лъапIэхэ! ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэмкIэ — дахагъэм, гуапагъэм, лъагъуныгъэм я гъатхэ махуэшхуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу. Дэтхэнэ цIыхухъуми и псэм йохуэбылIэ анэр, щхьэгъусэр, пхъур, шыпхъур. Сэри нобэ фэ — зи IуэхущIафэхэмрэ мурадхэмкIэ лIэщIыгъуэ куэд зи ныбжь унагъуэ хабзэ куухэр зыгъэбыдэхэм, зэрыщытын хуейм хуэдэу урысей унагъуэхэр быдэу, гуапагъэ илъу зэтезыIыгъэхэм — фхуэгъэза псалъэ гуапэхэр нывжесIэну сыхуейщ. Шэч хэмылъу, цIыхубзым и зэфIэкIхэр къигъэсэбэпын папщIэ иджырей зэманым IэмалыщIэхэр къыхузэIуихыу йокIуэкI. Дэ, цIыхухъухэм, а Iуэхур дэтIыгъын, цIыхубзхэр къэрал властым и органхэм, жылагъуэ IэнатIэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм ехьэлIауэ зэрылэжьэн Iэмалхэр къахузэдгъэпэщын хуейщ. Ауэ мыбдеж зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым бзылъхугъэхэм хэхауэ дакъыщхьэщыжын, яхуэфащэ гулъытэ яхуэтщIын зэрыхуейр. Апхуэдэу дэ куэдкIэ дэлъытащ анэхэр екIуу, узыншэу, насыпыфIэу щытынри. Кавказым бзылъхугъэм пщIэ лей щыхуащI. Дигу къэдвгъэгъэкIыжыт цIыхубзым усэ гъуэзэджэ куэд хуэзыгъэпса ди классик ин Гамзатов Расул! Ди бзэгум къыполъадэ абы щIыгъуу дэри жытIэну: «аргуэру си щхьэр лъахъшэу хуэзгъэщхъауэ, сэ цIыхубзым и Iэм ба хузощI»… Сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу, ди цIыхубз лъапIэхэ, фэ къыфхуэгъэза лъагъуныгъэ псалъэхэм сыт щыгъуи апхуэдиз хуабагъэрэ пэжыгъэрэ яхэлъыну, дэ, цIыхухъухэр, дызэрыфщхьэщытыр, фызэрытхъумэр сыт щыгъуи зыхэфщIэу фекIуэкIыну. Насып, лъагъуныгъэ, узыншагъэ, гъащIэ кIыхь фиIэну!
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25837.txt" }
ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэ гъатхэпэм и 8-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен республикэм и цIыхубзхэм зэрызахуигъазэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубз лъапIэхэ! Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ я цIэкIэ, си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу махуэшхуэмкIэ — ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэ гъатхэпэм и 8-мкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу. Иджырей зэманым гъащIэм и дэтхэнэ IэнатIэми цIыхубзым увыпIэ лъагэ щиубыдащ. Къыпхуэмылъытэнум хуэдизу инщ экономикэм, социальнэ, духовнэ IэнатIэхэм зегъэужьыным, республикэм мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ щыгъэбыдэным фэ хэфщIыхьыр. Ди гум къыбгъэдэкI фIыщIэ фхудощI хьэлэлу фызэрылажьэм, жыджэру гъащIэм фызэрыхэтым, гуапагъэрэ гу щабагъэрэ, акъылрэ дахагъэрэ зэрывбгъэдэлъым папщIэ. ФIыщIэ лей хуэфащэщ сабийхэмрэ унагъуэмрэ ятеубгъуа анэм. Аращ бзылъхугъэм и къалэн нэхъ лъапIэ дыдэр икIи ди лъэпкъхэм я унагъуэ хабзэ нэхъыфI дыдэхэр хъумэным и мыхьэнэр зэи нэхъ лъахъшэ хъунукъым. ЦIыхубзым и Iуэхур дэгъэкIыныр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал властым и органхэм сыт щыгъуи я къалэн пэрыту щытащ, нобэми апхуэдэщ. Фи гъащIэр гъэ къэс нэхъ тынш хъун папщIэ дэ тхузэфIэкI псори долэжь, дяпэкIи длэжьынущ, IэщIагъэкIи жылагъуэ Iуэхухэм я лъэныкъуэкIи фи зэфIэкIхэр къэвгъэсэбэпын папщIэ хэкIыпIэхэр къыфхузэдгъэпэщынущ. Мы махуэшхуэ лъапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и бзылъхугъэ гъуэзэджэхэм узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, гуапагъэ, ефIэкIуэныгъэ яIэну сохъуэхъу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25841.txt" }
Гъатхэпэм екIуэкIыну джэгугъуэхэр Япэ дивизион ТIощIрэ ещанэ джэгугъуэ Гъатхэпэм и 11 (блыщхьэ) «Металлург-Кузбасс» (Новокузнецк) — «Спартак-Налшык» (Налшык) «Уфа» (Уфа) — «Сибирь» (Новосибирск) «Нефтехимик» (Нижнекамск) — «Ротор» (Волгоград) «Петротрест» (Санкт-Петербург) — «СКА-Энергия» (Хабаровск) Гъатхэпэм и 12 (гъубж) «Урал» (Свердлов область) — «Волгарь- Газпром» (Астрахань) «Енисей» (Красноярск) — «Торпедо» (Мэзкуу) «Балтика» (Калининград) — «Химки» (Мэзкуу область) «Шинник» (Ярославль) — «Салют» (Белгород) ТIощIрэ еплIанэ джэгугъуэ Гъатхэпэм и 18 (блыщхьэ) «Спартак-Налшык» — «СКА-Энергия» «Томь» (Томск) — «Нефтехимик» «Балтика» — «Петротрест» «Ротор» — «Шинник» Гъатхэпэм и 19 (гъубж) «Торпедо» — «Металлург-Кузбасс» «Волгарь-Газпром» — «Енисей» «Салют» — «Урал» «Химки» — «Уфа» ТIощIрэ етхуанэ джэгугъуэ Гъатхэпэм и 25 (блыщхьэ) «Урал» — «Ротор» «Енисей» — «Салют» «Металлург-Кузбасс» — «Волгарь-Газпром» «СКА-Энергия» — «Торпедо» «Уфа» — «Балтика» «Нефтехимик» — «Сибирь» «Шинник» — «Томь» «Петротрест» — «Спартак-Налшык»
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25846.txt" }
Жэз медалитI къахьащ Владикавказ щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ 1993 — 1995 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ. Ди спортсменхэу Хьэжнэгъуей Мухьэрбийрэ (кг 60) Гугъуэтыж Мухьэмэдрэ (кг 84) абы жэз медалхэр къыщахьащ икIи мэлыжьыхьым и 18 — 20-хэм Урысейм пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ Челябинск щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм кIуэну Iэмал ягъуэтащ. — Пэжщ, тренерхэр медаль нэхъыбэ дыщыгугъащ. АрщхьэкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм къикIа спортсмени 150-рэ зыхэта зэхьэзэхуэр гуащIэу зэрекIуэкIар къэплъытэмэ, ехъулIэныгъэ хъарзынэ диIауэ убж хъунущ,- жиIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ КъБР-м и къэрал тренер Мэкъуауэ Малик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25848.txt" }
Дыщи дыжьыни Налшык къалэ щекIуэкIащ 1996 — 1997 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я зэхьэзэхуэ. Ар теухуат Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ. Зэпеуэм зэхуишэсащ спортсмен 490-рэ. Япэ увыпIитхур къэзыхьахэр хэтынущ Урысейм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ мэлыжьыхьым и 30-м щегъэжьауэ накъыгъэм и 2 пщIондэ Красноярск щекIуэкIыну зэпеуэм. Апхуэдэ Iэмал зыIэрыгъэхьэным хущIэкъуащ ди спортсменхэри. МахуищкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэ гуащIэм республикэм и командэ къыхэхам дыщэ медали 2, дыжьынуи апхуэдиз щызыIэригъэхьащ. Япэ увыпIэхэр къахьащ ДыщэкI Албэчрэ (кг 46-рэ) БищIо Тимуррэ (кг 69-рэ). Ныбэжь Нурмухьэмэдрэ (кг 100) Къэмбэчокъуэ Азэмэтрэ (кг 46-рэ) дыжьын медалхэр къалъысащ. Етхуанэ увыпIэр яубыдащ Шаваев Маликрэ (кг 54-рэ) Блэнауэ Азэмэтрэ (кг 58-рэ). Ахэр я гъэсэнщ тренерхэу Джэрыджэ Альберт, Iэщнокъуэ Мухьэмэд, Хъанычэ Аслъэн сымэ. КъБР-м бэнэкIэ хуитымкIэ ныбжьыщIэхэм я командэ къыхэхам я тренер нэхъыжь Бозий Исхьэкъ зэрыжиIамкIэ, щIалэхэм зэфIэкI хъарзынэ къагъэлъэгъуащ. «Тренерхэр зыщыгугъа спортсменхэм къагъэщIэхъуакъым — ехъулIэныгъэ зыIэрагъэхьащ. Ауэ щыхъукIи медалхэм я бжыгъэр нэхъыбэну Iэмал щыIащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, бэнакIуэ нэхъ лъэщхэм ящыщу Кудаев Щамилрэ Уэрдокъуэ Къазбэчрэ я узыншагъэм къызэримыхьым къыхэкIыу, зэхьэзэхуэм кърихьэлIакъым. ИтIани, а щIалитIри къэралым и финал зэхьэзэхуэм хэтынухэм ящыщщ, сыту жыпIэмэ, Красноярск зэрыкIуэну Iэмалыр мыбы и пэ къихуэу щыIа зэхьэзэхуэм къыщазэуащи», — къыхигъэщащ тренерым. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25850.txt" }
Адыгэ бзылъхугъэм и зэфIэкI Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым зэхыхьэ гукъинэж щекIуэкIащ. Ар теухуат зауэ зэманым Ленинград къыдашыфа сабийхэм бэлыхьу ятелъамрэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Беслъэней къуажэдэсхэм зэрахьа адыгагъэмрэ и лъабжьэу, профессор, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт Чистяков Николай итха «Память сердца» тхылъым. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым, ПащIэ Бэчмырзэ, Мечиев Казым сымэ я цIэхэр зезыхьэ Сабий, НыбжьыщIэ республикэ библиотекэхэм, Налшык къалэм и курыт еджапIэ №24-м я лэжьакIуэхэм. ЗэIущIэм хэтащ Беслъэней къуажэм щыщ, КъШР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Унэж Леонид, Беслъэней къуажэм дэсхэм ядэIэпыкъунымкIэ щыIэ псапащIэ фондым и унафэщI Абыдэ Кушыку, профессор, филологие щIэныгъэхэм я доктор, республикэм и щIэныгъэхутэ институтым и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, КъБР-м и цIыхубэ артист КIэдыкъуей Артур, филологие щIэныгъэхэм я доктор ХьэкIуащэ Мадинэ, «Дети войны» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Щауей Мидэ, республикэм и библиотекэхэм я лэжьакIуэхэр, Налшык къалэм и курыт школхэм я егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ. Налшык къалэм и курыт еджапIэ №32-м и 11-нэ классым щIэс Молэ Динарэ тепсэлъыхьащ «Память сердца» тхылъыр зытеухуам: — Мы гъэм къэралым щагъэлъапIэ Ленинград, Сталинград, Курск, Днепр деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм ди зауэлIхэм текIуэныгъэ къызэрыщахьрэ илъэс 70 зэрырикъур. «Память сердца» тхылъыр зытеухуар 1942 гъэм и мэлыжьыхьым Ленинград къыдаша сабийхэм я гъащIэр къызэрекIуэкIарщ. Сабий унэхэм щыIэ цIыкIухэр мафIэгухэмкIэ кърашэжьат зауэр здынэмыса щIыпIэм яшэну. Армавир къалэм нэсауэ мафIэгум нэмыцэхэм топышэхэр къытрагъэлъалъэу щIадзащ. Зи зэхуэдитIыр лъэпкъкIэ журт сабийхэр Беслъэней къуажэм нагъэсат. ЦIыхухъу лъэрызехьэхэр зауэм щыIэт. Жылэм къыдэна лIыжь-фызыжьхэмрэ цIыхубзхэмрэ сабийхэр унагъуэ-унагъуэкIэ зэбграхри ягъэпщкIуащ. Къуажэм къыщалъхухэр зратхэ тхылъым сабий 32-рэ зы жэщым иратхащ, адыгэ унэцIэхэр яIэу. Фашистхэм къуажэдэсхэр зэтраукIэну я тхьэлъанэт, журтхэр ягъэпщкIуауэ къащIэмэ. Ауэ, бийр жылэм зэрыдэса мазитхум къриубыдэу, беслъэнейдэсхэм зы сабии нэмыцэм Iэрагъэхьакъым. Ажалым щахъумэу я быным пащIу зэрапIам, зэрырагъэджам папщIэ абыхэм адыгэ анэхэм фIыщIэ ин хуащI, — къыхигъэщащ Динарэ. Сабий зеиншэхэр беслъэнейдэсхэм къызэрырагъэлрэ илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу и бжыгъэр 1500-рэ хъууэ къыдэкIа тхылъым ихуащ Ленинград къыдашауэ щыта, иджы зи щхьэр къетхъуха цIыхубзхэмрэ цIыхухъухэмрэ я гукъэкIыжхэр, архивым къыхахыжа сурэтхэр, Чистяков Николай и «Память сердца» поэмэр, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ беслъэнейдэсхэм зэрахьа лIыгъэмрэ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмрэ теухуа тхыгъэхэр. Тхылъым и напэкIуэцIхэм уи нэпс кърагъакIуэу ухашэ Хэку зауэшхуэм къэхъуа Iуэхугъуэ гуузхэм ящыщхэм. Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Урысейм и журналистхэм ягъэхьэзыращ 1942 гъэм беслъэнейдэсхэм зэрахьа лIыгъэм теухуа «Бесленей. Право на жизнь», «Одна семья», «Одна родня», «Дети с берегов Невы» кинофильмхэр, тхыгъэхэр. Ахэр газет, журнал зэхуэмыдэхэм къытрадзащ, ди къэралми нэгъуэщI щIыналъэ куэдми я телеканалхэмкIэ къатащ. Налшык къалэм и курыт еджапIэ №32-м щIэс Ныр Астемыр къеджащ Журтхэм я зэгухьэныгъэм и департаментым жылагъуэ IуэхухэмкIэ и унафэщI Спектор Роман мы Iуэхум теухуауэ жиIам: «Зи гур мыкъабзэ политикхэм лъэпкъ Iуэхухэр щызэщIагъаплъэ иджырей зэманым, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ адыгэ бзылъхугъэхэм журт сабийхэр ажалым зэрыщахъумам теухуа тхылъыр урыс тхыдэтхым зэритхыжам мыхьэнэшхуэ щиIэщ. Курыт школхэм тхыдэр зэрыщрагъэдж тхылъхэм мы къэхъугъэр хэгъэхьэн хуейщ, адыгэхэм яхузэфIэкIар лIыгъэм и щапхъэу. ЦIыхугъэм лъэпкъ, дин зэхэгъэж зэримыщIыр беслъэнейдэсхэм къагъэлъэгъуащ». Чистяков Николай и «Память сердца» поэмэм щыщ Iыхьэхэм гъэхуауэ къеджащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №24-м щIэсхэу Къумал Заирэ, ЛIызам Мухьэмэд, ХьэхъупащIэ Жэнэт, Кумыщ Мухьэмэд, Захаров Никитэ. Налшык къалэм и курыт еджапIэ №21-м и ебланэ классым щIэс Iэдзын Айзэ гум хыхьэу игъэзэщIащ «ЛIыгъэ зыхэлъхьэ» уэрэдыр (псалъэхэр Тут Михаил, макъамэр Гъуэт Аслъэн яйщ). Къыхэгъэщыпхъэщ, Ленинград щыщ Воронин Виктор Беслъэней къуажэм дэс Айзэ и адэшхуэм и унагъуэм къызэрыригъэлар. Апхуэдэу Воронин Виктор Iэдзын Рэмэзан хъуащ. Бгъэжьнокъуэ Барэсбий жиIащ беслъэнейдэсхэм я гъащIэм, я щхьэм и пэ сабий зеиншэхэр зэрырагъэщам, я бын дыдэм палъыту ахэр зэрапIам папщIэ и щхьэр зэрахуигъэщхъыр, абыхэм къалъыкъуэкIа зэфIэкIым, адыгагъэм лъэпкъыр зэрыригушхуэр икIи ар дуней псом ящIэн зэрыхуейр. — Ди республикэми апхуэдэ Iуэхугъуэ куэд щекIуэкIащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, яхъумакъым. Иджы ахэр зэхуэпхьэсыжыну гугъу хъунущ. Налшык журт хьэблэ зэрыщыIэр зыщIэ нэмыцэхэр емытIысэхыу абыхэм лъыхъуащ. А лъэпкъым щыщ цIыху минипщIхэр адыгэ къуажэхэм трагуашэри кърагъэлащ. Аращ журт нэхъыжь куэдым адыгэбзэр щIащIэр, — жиIащ Бгъэжьнокъуэм. Абыдэ Кушыку къыхигъэщащ Хэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 60 щрикъум ирихьэлIэу фэеплъ Беслъэней зэрыщыхуагъэувар Ленинград къыдашауэ щыта сабийхэм. Журт щIалэ цIыкIум IэплIэ хуэзыщI адыгэ анэм и скульптурэр зыщIар КIэмыргуей Хьэтызэщ. Абыдэм фIыщIэ яхуищIащ зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэмрэ абы хэтахэмрэ. — Адыгэм диIэщ «УфIмэ укъалъагъунщ, уи щхьэ ущымытхъуж» псалъэжьыр. Абы и зы щапхъэщ беслъэнейдэсхэм я лIыгъэм теухуауэ къэтщIар. ЩIэблэр гъэсэнымкIэ, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымкIэ ар щапхъэфIщ, — жиIащ Щауей Мидэ. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр ирагъэплъащ Ленинград фашист зэрыпхъуакIуэхэм зэрапэщIэтам теухуа документальнэ фильмым. ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25852.txt" }
Мэшыкъуэ и къуэ Мухьэмэд Къэрмокъуэ Мухьэмэд Мэшыкъуэ и къуэм и унафэм сыщIэту, и гъусэу Зеикъуэ къуажэм Кировым и цIэр зэрихьэу иIа колхозым сызэрыщыдэлэжьар, абы десхьэкIа зэманыр си гъащIэм и лъэхъэнэ нэхъ насыпыфIэ дыдэу си нэгу къыщIоувэж. Сэ срогушхуэ, срогуфIэ апхуэдэлI ди къуажэм къызэрыдэкIам, лъэужьыфI къызэрыщинам. Мухьэмэд зэпыу имыIэу цIыхубэм хуэлэжьащ, IэужьыфI къызэринэкIащ. Си гугъэщ абы и гъащIэ гъуэгуанэм зэ дриплъэжмэ, щхьэпэ хъуну. Аращи, мы си гукъэкIыжхэм фытемызашэу зэ «фрикIуэмэ», си гуапэ хъунт. Къэрмокъуэ Мухьэмэд 1946 гъэ КЪЭРМОКЪУЭР ди къуажэм щыщу псом япэ щIэныгъэ, IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтахэм язщ — Ленин къалэ цIыкIум кооперацэ IуэхухэмкIэ и къудамэр къиухащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъапэхэм ящыщ зыуэ абы Зеикъуэ «ТОЗ» къыщызэригъэпэщащ. ЗэфIэкI зиIэ щIалэщIэр 1929 гъэм Бахъсэн- стройм и парткомым и секретару ягъакIуэ. Арати, зиIэтурэ 1931-1932 гъэхэм партым и обкомым и инструктору, БКП (б)-м и Нагорнэ райкомым и секретару мэлажьэ. 1932 — 1934 гъэхэм былым лъэпкъыфI щагъэхъу «Къэбэрдей» совхозым и тхьэмадэщ. Нэхъ иужькIэ парт, хозяйствэ унафэщIу нэгъуэщI щIыпIэхэми ягъакIуэ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм ди республикэр яубыдын и пэкIэ, ди къуажэм Кировым и цIэр зезыхьэ и колхозышхуэм и унафэщIу щытащ. 1942 гъэм Накъыгъэм и 1 махуэшхуэм Ипщэ фронтым и сэлэтхэм саугъэт яхуэзыша лIыкIуэхэм яхэтащ. ЖаIэж абы щыгъуэ дзэ къулыкъушхуэ зиIа Малиновский Родион Мухьэмэд «колхоз генералкIэ» къеджауэ щытауэ. Инэралым хуэдэт ар икIи. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди Хэкум къыщытеуа 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м абы зы ут иригъэкIуэкIати, къуажэм балигъ хъуауэ абы емыкIуэлIа зы цIыхуи къэнатэкъым жыпIэ хъунущ. Къуажэм ипщэкIи, ищхъэрэкIи, и бгъуитIми къыщылъ гъавэ щIапIэхэм, жыг хадэм щылажьэхэм, Iэщыхъуэхэм ящыщу зы цIыху губгъуэм къинатэкъым. Мухьэмэд утыр къызэIуихри, щIызэхуэса Iуэхум тепсэлъыхьу щIидзащ. Зытепсэлъыхьыр гурыIуэгъуэу, гъэхуауэ, жьакIуэу яжреIэ: «Нобэ дэ нэмыцэхэм дызыхадза зауэр икъукIэ гуащIэщ, псынщIэуи зэфIэкIынукъым. Сэ фыкъыхузо-джэ щхьэж хузэфIэкIыр а зауэ угъурсызыр нэхъ пасэу иухыным хузэщIэвгъэуIуэну, бийм дытекIуэн папщIэ, къикIуэт фимыIэу сыт хуэдэ гугъуехьми фыпэщIэтыну. Апхуэдэу сыныволъэIу и Хэкум епцIыж, бийм игъэделэ къыфхэмыкIыну. Нэхъыжьхэм ящIэж 1917 -1921 гъэхэм — Октябрь революцэм щыгъуи, адэкIэ граждан зауэм щыгъуи ди къуажэдэсхэм зыми я мыIуэху зэрызэрамыхуар, абы и фIыгъэкIэ ди жылэм щыщ цIыху абыхэм зэрыхэмыкIуэдар. Фэри фи щхьэм фыхуэсакъыжмэ, бийм кIэщIэлъадэ къыфхэмыкIмэ, къуажэм лажьэ къыдэхъуэнкъым. Фигу ивгъэлъ: мы зауэм щытекIуэнур дэращ!» Къэрмокъуэ Женя Мухьэмэд апхуэдэу цIыхухэр хуиунэтIырт мылъкур, Iэщыр бийм яIэрымыгъэхьэным. Ар япэкIэ плъэрт, лэжьыгъэр губзыгъэу иубзыхурт. Хозяйствэм былыму, шыуэ, мэл-бжэну куэд дыдэ иIэт. Абыхэм ящыщу и Iэ къызыпекIуэкI къимыгъанэу унагъуэхэм ятригуэшауэ щытащ яхъумэну. Абы и акъыл жаным и фIыгъэкIэ ди къуажэдэсхэр бэлэрыгъатэкъым. 1942 гъэм шыщхьэIу мазэм, бийр ди къуажэм къыщыдыхьам, зэрыжысIам хуэдэу, мылъкур, Iэщыр жылэм хэгуэшат. А лъэхъэнэм нэмыцэхэр Хьэрэкхъуэрэ щыгум щызэтеувыIат. Ди Дзэ Плъыжьым и частхэм Дыгъэмыхъуэм зыщагъэбыдат. ЛъэныкъуитIми зэхэуэр яублэртэкъым. Апхуэдэурэ мамыру екIуэкIащ 1942 гъэм и шыщхьэIури, фокIадэри, жэпуэгъуэм и 25 пщIонди. 1941 — 1942 гъэхэм ищхьэмкIэ къикIа унафэкIэ Дзэ Плъыжьым зыщигъэбыда щIыпIэхэм хиубыда колхозхэм, совхозхэм къалэну къыхуагъэуват частхэм я унафэщIхэм я тхылъкIэ сэлэтхэм ирагъэшхыну былым, мэл-бжэн иратыну. Абы ипкъ иткIэ, Зеикъуэ и щIыналъэм зыщызыгъэбыда ди дзэм щыщ частхэм тхылъкIэ Iэщ иратащ, зауэ нэужьым къэралым ипшыныжыну. А унафэм Iэщым пэрыт унафэщI курытхэри щыгъуазэ ищIащ, езы Къэрмокъуэми ар игъэзэщIащ. «Колхоз инэралым» и хозяйствэм икъукIэ мылъкушхуэ бгъэдэлът, псом хуэмыдэу Iэщ уэр иIэт. Зеикъуэ щыгухэр, джабэ нэкIухэр, лъэгухэр былымым, шыхэм, мэлхэм яуфэбгъуат. Абыхэмрэ къуажэдэсхэмрэ яхъумэу, ипщэкIэ ЛашкIутIащхьэ къыщыщIэдзауэ ищхъэрэкIэ Дыгулыбгъуей Махуэгъэпс нэсу, мэзым щIэгуэшауэ щIэсащ Дзэ Плъыжьым и зауэлIхэр. Мис а зауэлI куэд дыдэр игъэшхащ ди колхозым. Абыхэм хозяйствэм и былыму 4500-м нэс, мэл-бжэну мин 40-м щIигъу, шыуэ 1.500-рэ тхылъкIэ иратауэ щытащ. Ахэр лыуэ центнер мин 38-рэ хъурт. Къэрмокъуэ Хьэчим Ди республикэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм ящызыхъумахэм яхэтащ Къэрмокъуэ Мухьэмэди. Ар хэтащ Царяпин Г.М. зи командиру, Къудей Чэрим зи комиссару ди Хэкур бийм щызыхъума партизан зэгухьэныгъэшхуэм. Хэтащ сыт хуэдэ ебгъэрыкIуэныгъэхэми хахуагъэ къыщигъэлъагъуэу. 1943 гъэм и пэщIэдзэм Дзэ Плъыжьым и частхэм я гъусэу партизанхэми Налшык къалэ хуит къащIыжащ. Республикэр хуит къыщащIыжым, Къэрмокъуэм къигъэлъэгъуа хахуагъэм, лIыхъужьыгъэм папщIэ къыхуагъэфэщащ «Хэку зауэшхуэм и партизан», «ЗэуэнымкIэ и зэфIэкIхэм папщIэ», «Кавказыр зэрихъумам папщIэ» медалхэр, Вагъуэ Плъыжь орденыр, Хэку зауэшхуэм и орденым и япэ нагъыщэр, нэгъуэщIхэри. 1943 гъэм ди республикэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ирахужа иужь, и къулыкъум пэроувэжри, бийм зэхикъута къуажэр, цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным жыджэру йолэжь, лэжьакIуэбэр абы къыхузэщIеIэтэ. Жылагъуэ псэуалъэхэр къызэрагъэпэщыж, абыхэм унагъуэхэм ятригуашэу фашистхэм ящригъэхъума Iэщыр щызэхуахусыж. Гъэш, мэл, шы фермэхэм лажьэу щIадзэж. ЛIы губзыгъэм, унафэщI IэкIуэлъакIуэм япэкIэ плъэуэ илэжьауэ щыта Iуэхугъуэхэм иджы колхозым зыкърагъэIэтыж. Къэрмокъуэм хозяйствэм и Iэщу Дзэ Плъыжьым яшхар тхылъу ихъумати, 1943 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м лыр къэралым ещэнымкIэ телъа псори Зеикъуэм и Iэщу Дзэ Плъыжьым яшхам и хьэкъкIэ зэфIагъэкIауэ щытащ. ИкIи республикэм колхозу, совхозу итым ди хозяйствэм и щIыхуэ ятехуат. Ахэр хъума хъуами, къуажэми хозяйствэми мылъкукIэ, цIыхукIэ хэщIыныгъэшхуэ яIащ. Ди къуажэр нэмыцэм зэриIыгъа зэман мащIэм цIыхуи 120-рэ хэкIуэдащ, 300-м нэс уIэгъэ ящIауэ щытащ. Куэдым я унэхэр, псэ-уалъэхэр якъутащ, унагъуэ Iэщуи Iисраф ящIар Iэджэщ. Колхоз Iэщ псэуалъэри зэтракъутащ, ягъэсащ. Алэщокъуэ щыIа бригадэ унэр и пIэм ирагъэщхъащ, абы щаIыгъа вы 800-м нэсыр фашистхэм яшхащ. 1943 гъэм Зеикъуэ къуажэ Советымрэ колхоз правленэмрэ къызэрагъэпэща чрезвычайнэ комиссэм — абы и унафэщIу щытащ Шыбзыхъуэ Нинэ Елбэздыкъуэ и пхъур — къилъытауэ щытащ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къуажэдэсхэм, хозяйствэм я мылъкуу, Iэщу Iисраф ящIахэр, яшхахэр. Ахэр а лъэхъэнэм зекIуа ахъшэмкIэ сом меларди 6-м щIигъуу къыщIэкIащ. Къэрмокъуэ Майе ИщхьэмкIэ зэрыщыжысIам тету, Мухьэмэд и хахуагъэм, и губзыгъагъэм я фIыщIэкIэ, езыр хэкIуэдэнкIэ шынагъуэми, Iэщым и нэIэ зэрытригъэтам и хьэкъкIэ мылъкушхуэ къызэтригъэнауэ щымытамэ, къуажэми хозяйствэми нэхъыбэж яфIэкIуэдынут. Iэщым бгъэдэта цIыхухэми яхэмыщIауэ я унэ екIуэлIэжыгъащ. Къэрмокъуэм псынщIэу зыкъыдиIэтыжащ ди колхозым. 1955 гъэм ирихьэлIэу зауэм и пэкIэ хозяйствэм иIа Iэщ бжыгъэр зэфIигъэувэжащ: ди фермэхэм къытехутэжащ мэл-бжэну мин 40-м нэблагъэ, былыму 4.500-рэ, шыуэ 800-м нэс. Абыхэм цIыхухэр щыгуфIыкIырт, иригушхуэрт. Ауэ къуажэдэсхэм яхуемыгъэхыр, гуауэу я тэмакъым къыщIэтыр Хэку зауэшхуэм и кIэухырт. Зеикъуэмрэ Жанхъуэтекъуэмрэ зы къуажэ Совету зэгуэтт. А жылагъуитIым 1941 — 1945 гъэхэм Хэку зауэшхуэм ягъэкIуат я адэхэу, я къуэшхэу, я къуэхэу 1359-рэ. Ахэр къуажитIым пщIэрэ щIыхьрэ къыхуахьу, хахуэу бийм япэщIэтащ. Абыхэм ящыщу 700-м къагъэзэжакъым, я псэр Хэкум и щхьэхуитыныгъэм папщIэ ятащ. Нобэр къыздэсым я анэхэр, щхьэ-гъусэхэр, шыпхъухэр абыхэм ятопыхьэ, лъэпкъхэр зэхыхьэмэ, ягу къагъэкIыж яфIэкIуэдахэр. Щомахуэхэ апхуэдэ хэщIыныгъэу 25-рэ, Сэбаншыхи aпхуэдиз, Що-джэнхэрэ Шурдымхэрэ дэтхэнэми 24-рэ, Дыкъынэхэ 23-рэ, ГъукIэлIхэ 21-рэ яIащ. ПщыкIуплIым щыщIэдзауэ пщыкIубгъум нэс зыфIэкIуэдахэр лъэпкъ пщыкIуз мэхъу. 700-м щыщу 321-р къэзгъэлъэгъуа лъэпкъхэм ящыщщ. Къэрмокъуэм и гулъытэр здынэмыс къэгъуэтыгъуейт. Зауэм хэкIуэдахэм я унагъуэхэм, зи закъуэу къэна фызабэхэм, зеиншэ хъуа сабийхэм псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ хуабжьу ядэIэпыкъурт. Псалъэм папщIэ, колхозым илъэсым хэхъуэу къыIэрыхьэм и проценти 2-р зеиншэхэм, дэIэпыкъуэгъуншэхэм яхухихырт. Ар мащIэтэкъым, колхозым мэкъумэшхэкIрэ IэщхэкIыу къилэжьым и куэдагъыр къэплъытэмэ. Зауэ нэужь илъэсхэм къэхъуа гъеишхуэхэми зы цIыхуи ихьакъым Мухьэмэд и гулъытэрэ жумартагъымрэ я фIыщIэкIэ. ДЭ ДИIЭТ зы уэшх къе- мышхми, мэкъумэш бэв къыщыкI щIыпIэшхуэ — ар Зеикъуэ и вапIэхэм я нэхъ ин дыдэ Алэщокъуэт. Абы и щIыщхьэфэм хурикъурт уэсэпсыр, икIи псом хуэмыдэу нартыхур бэв щыхъурт. ФIыщIэрэ щытхъурэ яхуэфащэщ Мухьэмэд, абы и ужькIи Iуэхум пызыща, нэхъри езыгъэфIэкIуа Бырс Анзор, ХьэвцIыкIу ПIытIашэ, Чеуж Джэхьфар, Абазэ Ибрэхьим сымэ, къуажэдэсхэр зауэм и ужь илъэсхэм гъейм щызыхъумахэм. Мухьэмэд зэхэхауэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэри илъэсым тещIыхьауэ къригъэлъытэрт икIи а бжыгъэхэм хуэдиз гъэтIылъыгъэ ищIырт. Псом япэ гъавэмкIэ къэралым и хьэкъыр игъэзащIэрт, илъэс къэс планым и лейуэ куэд ирищэрт. ИтIанэ къыхихырт жылапхъэмрэ страховой фондымрэ, тхьэмыщкIэхэм зэрадэIэпыкъунур. АдэкIэ цIыхухэм я трудоденым пэкIуэу етын хуейр, Iэщым и Iусыпхъэр, лэжьакIуэхэм я гъуэмылэр гъэтIылъыгъэ ищIырт. А псори хэкIа иужь, къэнар къэзылэжьахэм яйт. Илъэс къэс трудоденым хуэзэу ику иту гъавэ килограмми 2-8-м нэс, лыуэ грамм 200, сэхурану грамм 300, цыуэ грамм 50, кIэртIофу килограмм 0,7-1-м нэс хуагуэшащ. Хуагъэува мардэм щIезыгъэгъуа бригадэхэм, звенохэм лэжьапщIэм нэмыщI саугъэтхэри иратащ. Апхуэдэ гулъытэм, лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэм мэкъумэшыщIэхэр нэхъри тригъэгушхуэрт, зэхьэзэхуэу, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу игъэлажьэрт. Колхоз правленэм хэтхэр, IэщIагъэлIхэр, курыт унафэщIхэр цIыху пэжт, хьэлэлт, щхьэхуещэ яхэттэкъым. Абы лэжьакIуэхэр нэхъри игъэгушхуэрт, текIуэныгъэщIэхэм хуаунэтIырт. Псом хуэмыдэу зеикъуэдэсхэм ягу къинащ 1946 гъэр — уэгъушхуэ щыщыIар. А илъэсым къуажэм щыщу мэжэщIалIагъэм зы цIыхуи ихьакъым, гъавэкIэ уэкъулакIуэ нэгъуэщI щIыпIэ кIуакъым, мэкъумэш бэв кърахьэлIауэ щытащ. Къэрмокъуэр щIалэгъуалэми я ныбжьэгъушхуэу щытащ — еджэнур игъэгушхуэрт, лэжьэнум дэIэпыкъурт. Комсомол-щIалэгъуалэ звенохэр къыщежьам япэу къызэзыгъэпэщахэм ящыщащ ди колхозыр. 1944 — 1950 гъэхэм хозяйствэм щылэжьащ комсомол-щIалэгъуалэ звеноуэ 10. Абыхэм я унафэщIт Хьэпэ Хьэмидбий, Мэжджыхь Хъандycap, Чып Мелыхъан, Сыжажэхэ Хьэбасрэ Нащхъуэрэ, ЛIызам Лацэ, Хьэмырзэ КIуакIуэ, Къэрмокъуэ Iэмырбий, Хьэмырзэ Myзэриф сымэ, нэгъуэщIхэри. Сэ ар фIыуэ сощIэж, сыту жыпIэмэ, а лъэхъэнэм къуажэм и комсомол организацэм и секретару сылэжьащ, Мухьэмэд дэрэ дызэчэнджэщурэ, унафэщIхэр къыхэтхауэ щытащ. ИужькIи зэпымыууэ си нэIэ ятетащ. ЩIалэхэми хъыджэбзхэми дыкъагъэпэжащ — дазэрыщыгугъам хуэдэу къытхущIэкIащ. Мы зи гугъу сщIы лъэхъэнэм къыхуеджэныгъэу щыIащ: «Ику иту гектар къэс хуэзэу нартыхум центнepи 100, бжьыхьэсэ гуэдзым — 40, сэхураным — 25-рэ, кIэртIофым — 500 къытетхынщ!» ИкIи зы гъэ-гъитI мыхъуу, абыхэм илъэс зыбжанэкIэ апхуэдэ мэкъумэш бэв кърахьэлIэжащ. Мэкъумэш щIэным, Iэщ гъэхъуным я къызэгъэпэщыкIэм щIалэгъуалэр щыхуе-джэ кружокхэр дгъэла-жьэрт. Абыхэм жэпуэгъуэм и 15-м егъэджэным щыщIадзэрти, гъатхэ техьэху я щIэныгъэм щыхагъахъуэрт. Я унагъуэ Iуэхум щхьэкIэ школым кIуэурэ махуэм емыджэф щыIэмэ, абыхэм папщIэ 7-10-нэ классхэр иIэу пщыхьэщхьэ школ лажьэрт. Абыхэм Къэрмокъуэм и нэIэ тригъэтт. Лэжьыгъэмрэ еджэнымрэ зэдахь хъууэ я IэнатIэхэр яритырт, хуэмыщIа къахэкIмэ, ахъшэкIэ ядэIэпыкъурт. Апхуэдэу еджэурэ епщIанэ классыр къаухащ Джэдгъэф Аслъэмырзэ, ХьэфIыцIэ Лъостэнбий, Щомахуэ Бэч сымэ, нэгъуэщI зыбжанэми. ИужькIэ абыхэм я еджэныгъэм еджапIэ нэхъыщхьэхэм щыпащащ, IэщIагъэлI, унафэщI хъарзынэхэр къахэкIащ. НОБЭ дызэрыт зэманым, щытыкIэм изолъыт дэ ди щIалэгъуэу щыщыта абыхэм я лъэхъэнэри, зэрызгъэщIэгъуэнур къысхуэщIэркъым ди щIалэгъуалэм я бэшэчыгъар, я ерыщыгъар. ИщхьэмкIэ зи гугъу сщIа батэшхуэр зэрагъэхъеяр шыжь-выжьщ, хьэмфIанэрэ белрэщ. Абыхэм апхуэдиз къару къащIэзылъхьар я зэкъуэтыныгъэрщ, зэрыгъэпэжыныгъэрщ, я хьэлэлагъырщ. Мухьэмэд мыпхуэдэ лIыгъи дэслъэгъуащ, аращ, «лIыгъэщ», абы нэгъуэщIкIэ уеджэ хъунукъым. 1946 гъэм и мазаем ди колхозым отчет-хэхыныгъэ зэIущIэ щекIуэкIынут: абы унафэщIри щыхахын е щыхахыжын хуейт. Абы щыгъуэ дэ Iуащхьэмахуэ paйоным дыхэтт. лIыкIуэхэр, ди къуажэ унафэщIхэр зэхэтIысхьэгъат, сэри сахэту. Колхозым и тхьэмадэу хахынур къагъэлъэгъуэн хуейт. Районым и лIыкIуэхэм Бырс Анзор къагъэлъэгъуащ, дыдейхэм Къэрмокъуэ Мухьэмэд хахыжмэ, нэхъ яфIэкъабылт. Апхуэдэу лъэныкъуитI щыхъум, Мухьэмэд жиIащ: «Сэ сынывэлъэIуну си мурадт. Си бынхэм я еджэгъуэщ, ахэр си гъусэу Налшык сыIэпхъуэну, абы щезгъэджэну тезухуащ. Абы къыхэкIыу сэ сыкъэвмыгъэлъагъуэ. Анзор а къалэныр икъукIэ дэгъуэу игъэзэщIэфынущ…» Къэрмокъуэр псоми яцIыхурт. Абы зыгуэр жиIамэ, зэрыпхутекIын щыIэтэкъым, игу къэкIар зримы- гъэхъулIауэ къикIуэтынутэкъым. Зыри пэувакъым, апхуэдэу колхозым и тхьэмадэ къулыкъум яфIыIукIауэ щытащ. Мухьэмэд жыжьэ плъэрт, нэхъыфIыр къилъагъуфырт. ЗэрыжиIам хуэдэуи, къуажэм дэкIащ. Абы и зэфIэкIыр зыхуэдизыр зыщIэ партым и Къэбэрдей обкомым ар япэ щIыкIэ Бахъсэн райисполкомым, итIанэ Тэрч райисполкомым, нэхъ иужьыIуэкIэ Налшык райисполкомым я тхьэмадэу егъакIуэ. Иужь дыдэм Къэрмокъуэ Мухьэмэд Къэбэрдей АССР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым шы гъэхъунымкIэ и къуэдзэу щытащ. Зи гуащIэ емыблэжу цIыхубэм яхуэлэжьа адыгэлIыр КъАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хэхыгъуитIкIэ щытащ. ЗэрыжытIащи, 1946 гъэм и мазаем екIуэкIа отчет-хэхыныгъэ зэIущIэм хозяйствэм и тхьэмадэу Бырс Анзор щыхахащ. Мухьэмэд игъэпса унэтIыныгъэм тету, Бырсым колхозыр нэхъри япэкIэ ишэу лэжьыгъэр ирегъэкIуэкI. IэнатIэхэм лэжьыгъэ хьэл-щэн дахэ щаIэу къуажэдэсхэм мэкъумэш ящIэ, Iэщ ягъэхъу. Республикэм щыцIэрыIуэу къыпэщыт къэрал хьэкъхэр егъэзащIэ, и лэжьакIуэхэм яхуэфэщэн яIэрохьэ. 1948 гъэм ирихьэлIэу хозяйствэр здынэса гъунапкъэхэм Москваи щыгъуазэ мэхъу. Бжыгъэшхуэхэм, лэжьыгъэфIым хуэфащэ пщIэ игъуэтын папщIэ, партымрэ Правительствэмрэ я комиссэ, цIыхуипщI хэту, Зеикъуэ къагъакIуэ. А лъэхъэнэм колхозым и къэпщытакIуэ гупым и тхьэмадэр сэрати, сэри сахэту, хьэщIэхэм хозяйствэм 1943 — 1948 гъэхэм лэжьыгъэу щекIуэкIар, къэралым и хьэкъхэр зэригъэзэщIар, мэкъумэшыщIэхэм, Iэщыхъуэхэм я гугъуехьым пщIэуэ пэкIуар, зылъэмыкIхэм хуащI гулъытэр, дзыгъуэ гъуанэ дихьа къамыгъанэу къапщытэ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ди къуажэбгъухэм зыщызыгъэбыдауэ щыIа Дзэ Плъыжьым и частхэм тхылъкIэ Iэщу иратауэ щытар, абы къыпэкIуэу 1943 гъэм щыщIэдзауэ къэралым къаритыжа ахъшэр къызэрагъэсэбэпар, мэкъумэшхэкIыу, IэщхэкIыу къэралым иращэн хуеямкIэ илъэс къэс я къалэнхэр гъэзэщIа зэрыхъуар, нэгъуэщIхэри гупсэхуу къапщытащ. Республикэм и IэщхэкI, гъавэ гъэхьэзырыпIэхэм щIэлъ тхылъхэмрэ ди бухгалтерием ейхэмрэ зэрагъэпщащ. Уеблэмэ, шыбз лъхуэн-пIэн 64-р, абыхэм къыщIагъэхъуа шыщIэ 64-р я нэкIэ зрагъэлъэгъуащ. ЦIыхуипщI зыхэт комиссэр, емытIысэх жыхуаIэм хуэдэу, махуипщIкIэ лажьэри, кIуэжыгъащ. А псом и ужькIэ, куэд дэмыкIыу 1949 гъэм мэкъуауэгъуэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и Унафэ къыдэкIащ КъАССР-м Кировым и цIэр зезыхьэ и колхозым шыбз лъхуэн-пIэн къэс зы шыщIэ къызэрыщыщIагъэхъуам папщIэ хозяйствэм и тхьэмадэ Бырс Анзор, шыхъуэ пашэхэу Що-джэн ТIэлашэ, Къалмыкъ Хьэжмурат сымэ «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къызэрыфIащам, Ленин орденымрэ Гъубжэмрэ Уадэмрэ медалымрэ къызэрыхуагъэфэщам теухуауэ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэм лъабжьэ хуэгъэхьэзырыным Къэрмокъуэ Мухьэмэд и гуащIэ мымащIэу хэлъащ. Абы и псалъэ Iущхэр ноби зеикъуэдэсхэм я дерсщ, и унэтIыныгъэ тэмэмхэр къуажэми хозяйствэми я унафэщIхэм, IэщIагъэлIхэм я гъуэгущ. 1946 гъэм Къэрмокъуэм колхоз унафэщIу зыщыхримыгъэхыжа зэIущIэм кърихьэлIахэм захуигъазэри, жиIэгъащ: — ФIыуэ слъагъу си къуажэгъухэ! Гъэ кIуам ди ТекIуэныгъэкIэ иуха зауэр икъукIэ кIыхьлIыхьащ, хьэлъащ. ЦIыхукIи мылъкукIи хэщIыныгъэшхуэхэр къытхуихьащ. Абы хэкIуэдахэр зыщымыгъупщэн, яхуэщIапхъэр ялъызыгъэсын къэнахэр Алыхьым дищI. ДяпэкIэ илъэс 45-50-кIэ зауэ тлъагъунукъым. А зэман кIыхьыр дэ мамыру, бэIутIэIуншэу ткIунущ. Ар нэхъыбэу зеинур ди щIалэгъуалэрщ, нобэ сабийхэрщ: а къэкIуэну псэукIэ хъарзынэм ди бынхэр екIуу, узыншэу, щIэныгъэ яIэу хэтыным фэрэ дэрэ хуэдгъэхьэзырыну ди къалэнщ. Си гугъэщ абыхэм папщIэ хузэфIэкI зымылэжьын фэ къыфхэмыту, Алыхьым къывигъэхъулIэ. МЫБДЕЖМИ щIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ Къэрмокъуэр псоми щапхъэ тхуэхъуащ. И хъыджэбзищымрэ и къуиплIымрэ цIыхухэр зэхъуапсэ быным хуэдэу къигъэхъуащ, щIэныгъэ, IэщIагъэ яригъэгъуэтащ. Мухьэмэд ипхъу Женя курыт школыр фIы дыдэу къиухри, Дагъыстэн къэрал медицинэ институтым щIэтIысхьащ. Япэ махуэм щыщIэдзауэ и еджэнкIи и хьэл-щэнкIи адрейхэм щапхъэу хуагъэлъагъуэу екIуэкIащ. 1957 гъэм диплом плъыжькIэ а еджапIэ нэ- хъыщхьэр къиухащ. И щIэныгъэм адэкIи щыхигъахъуэу, IэщIагъэм IэкIуэлъакIуэ зыхуищIу 1957-1960 гъэхэм Ленинград институтым и клиникэ ординатурэм щIэсащ. Ди республикэм къигъэзэжа иужь, япэ щIыкIэ Налшык къалэ клиникэ сымаджэщым и дохутыру, итIанэ КъБАССР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къупщхьэ узым щеIэзэ и «Огонек» сабий санаторэм и дохутыр нэхъыщхьэу 1962 -1984 гъэхэм лэжьащ. А зэманым Женя къызэригъэпэщащ санаторэм цIыхухэм щеIэзэн унэ хуегъэщIыныр. КIуэтэху щIэныгъэфI зиIэ цIыхубзыр республикэм узыншагъэр хъумэным и IэнатIэ нэхъ жэуаплыныгъэ зыпылъхэм щолажьэ. 1975 -1985 гъэхэм КъБКъУ-м и медицинэ факультетым рентгенологхэр щрагъаджэ курсхэм я унафэщIу щытащ. ИужькIэ, 2000 гъэ пщIондэ, Республикэ клиникэ сымаджэщым и рентгенотерапевт дохутыру лэжьащ. Женя IэнатIэхэм здыбгъэдэтым зэпымыууэ и щIэныгъэм хигъэхъуащ, и IэщIагъэр иригъэфIэкIуащ. Ар щеджащ, лэжьыгъэм щыкIэлъыплъащ къэралым и медицинэ институт нэхъ цIэрыIуэ куэдым. ЦIыхухэм я узыншагъэр хъумэным, сымаджэхэм я узыр гъэхъужыным, ящыгъэпсынщIэным ехьэлIауэ щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд къыдигъэкIащ. А: псоми нэмыщIкIэ, Женя щхьэгъусэфIуи щытащ. Абы гъащIэ насыпыфIэ дрихьэкIащ республикэм и мызакъуэу, щIыпIэ куэдым къыщацIыху дохутырышхуэ, профессор Къущхьэбий Виктор. Алыхьым и ахърэт дахэ ищI, Женя 2001 гъэм дунейм ехыжащ. Женя кIэлъыкIуэ Къэрмокъуэ Майе 1940 гъэм къалъхуащ. Курыт школыр къеухри, лажьэурэ и щIэныгъэм хигъэхъуэн щIедзэ. Текстильнэ, промышленность псынщIэмкIэ Союзпсо заочнэ институтым щоджэ. Майе 1958 гъэм щIедзэри Къэбэрдей-Балъкъэр дэрбзэр фирмэм и бригадиру, мастеру, технологыу, цехым и унафэщIу щолажьэ. 1970 гъэм и щIэныгъэр, и цIыху хэтыкIэр къалъытэри, Бахъсэн дэрбзэр фирмэм и инженер нэхъыщхьэу ягъакIуэ. Абы, IэщIагъэлI IэкIуэлъакIуэу зэрыщытым къыдэкIуэу, жылагъуэ лэжьыгъэм жыджэру зыкъыщегъэлъагъуэ. ИкIи илъэсищ фIэкIа и IэщIагъэмкIэ мылэжьауэ, Бахъсэн район Советым и депутату хах, адэкIэ а Советым и исполкомым и тхьэмадэм и къуэдзэ къулыкъур къыхуагъэфащэ. ИлъэсиблкIэ а къалэныр игъэзэщIа иужь, Майе Бахъсэн район Советым и исполкомым и тхьэмадэу хах. ИкIи 1985 гъэ пщIондэ а къулыкъум пэрытащ и цIэр фIыкIэ жаIэу, и районыр пэрытхэм хабжэу. 1985 гъэм цIыхубзым дзыхьышхуэ ирагъэз — КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару хахри, а IэнатIэм 1991 гъэ пщIондэ щолажьэ. Ар жылагъуэ лэжьыгъэми жыджэру хэтщ — 1987 — 1997 гъэхэм республикэм и цIыхубзхэм я Комитетым и тхьэмадэщ. 1988 -1996 гъэхэм цIыхубзхэм я Урысей Союзым и Исполнительнэ Комитетым хэтщ. РСФСР-м и Суд Нэхъыщхьэм и цIыхубэ заседателу тIэунейрэ (1972 — 1982 гъ.гъ) хахащ. «И лэжьыгъэфIым папщIэ» медалыр къыхуагъэфэщащ. Къэрмокъуэ Хьэчим Мухьэмэд и къуэр ди республикэм и мызакъуэу, утыкушхуэм къыщацIыхуа адыгэлIщ. 1941 гъэм къалъхуащ. 1963 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр промышленнэ, граждан ухуэныгъэ IэщIагъэмкIэ къеухри, Брянск къалэм лэжьэн щыщIедзэ. Абы ухуэныгъэхэр щрегъэкIуэкI Тырныауз, Налшык къалэхэми. И щIэныгъэм хегъахъуэ, Москва дэт экономикэ институтым и аспирантурэр къеух. 1971 гъэм диссертацэр пхегъэкIри, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат мэхъу. КъБКъУ-м и доцентщ, егъэджакIуэ нэхъыжьу щылэжьащ. И доктор диссертацэр егъэхьэзырри, 1998 гъэм пхегъэкI. Экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ. «Къэббалъкъавтострой» ухуакIуэ-монтаж управленэм и унафэщIу, «Къэббалъкъпромстрой» трестым и тхьэмадэм и къуэдзэу 1973 — 1990 гъэхэм лэжьащ. Хьэчим и IэнатIэхэм жэуаплыныгъэу хэлъыр къыгурыIуэу, зэпIэзэрыту къалэнхэр зэрыщрихьэкIыр къалъытэри, нэхъ къалэн гугъухэр пщэрылъ хуащIу щIадзэ. 1990 гъэм ар КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и Тхьэмадэм экономикэ реформэмкIэ и къуэдзэу ягъэув. 1991 — 1993 гъэхэм КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэщIщ. 1993 гъэм дыгъэгъазэм щыщIэдзауэ УФ-м и Федеральнэ Собранэм и Къэрал Думэм и депутатщ. 1994-2000 гъэхэм Урысей Федерацэм и Счетнэ Палатэм и япэ тхьэмадэщ. Ар икъукIэ къулыкъушхуэщ — къэралым и лIыщхьэхэм ящыщу еханэщ. Мыбдеж щыжыпIэ хъунущ: «Феп-лъыт Мухьэмэд и гъэсэныгъэм и къуэр здынихьэсам!» Ар адыгэ псоми ди дежкIэ щIыхьщ, гуапэщ! 2000 гъэм и накъыгъэм щыщIэдзауэ Хьэчим УФ-м и Счетнэ Палатэм и тхьэмадэм и чэнджэщакIуэ нэхъыщхьэщ. 2001 гъэм Урысей Федерацэм и Федеральнэ Собранэм ФедерацэмкIэ и Советым хэтщ. «Зэныбжьэгъугъэ» орденыр 2001 гъэм къыхуагъэфэщащ. Мухьэмэд и адрей щIалэхэми СулътIан, Хьэсэн, Олег сыми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ. Щыри зыбгъэдэт IэнатIэхэм хуэIэкIуэлъакIуэщ, фIыщIэ къыхуащIу, щытхъу къыхужаIэу щолажьэ. ХЬЭФIЫЦIЭ Мусэбий, лэжьыгъэм и ветеран. Бахъсэн район, Зеикъуэ къуажэ. 2004 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25858.txt" }
Мурадхэр инщ,ауэ узыпэлъэщынщ Апхуэдэ гупсысэм нэхъ тегъэщIауэ щытащ КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин езыр зи унафэщI IуэхущIапIэм 2012 гъэм зэфIигъэкIахэмрэ дызэрыт илъэсым кърикIуэну зыщыгугъхэмрэ теухуа зэхуэсым щыжиIар. Коллегием и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, республикэм и Парламентымрэ гъэзэщIакIуэ властым и органхэмрэ я лIыкIуэхэр, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, республикэм къыщыдэкI газетхэм, электроннэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Къумахуэ Мухьэдин зэрыжиIэмкIэ, гъэ блэкIам къриубыдэу щIыналъэ зэхуаку мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ зыбжанэ министерствэм зэфIигъэкIащ. Абыхэм ящыщщ «Кавказ джэгукIэхэр» фестивалым и къыкIэлъыкIуэ зэхэшэгъуэр 2012 гъэм ди республикэм зэрыщекIуэкIар. Абы теухуа нэтынхэмрэ тхыгъэхэмрэ журналист 200-м щIигъум ягъэхьэзыращ. Гу зылъытапхъэ IуэхугъуэфIхэм ящыщу жыпIэ хъунущ ди къэралым и щIыналъэ 15-м я лIыкIуэхэр зыхэта, Урысейм и тхылъ тедзапIэхэм я ассоциацэм и зэIущIэшхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщекIуэкIар. Сабий, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэмрэ я унафэщIхэмрэ щызэпеуэ, «ХХI лIэщIыгъуэм и пашэ» зыфIаща епщIанэ Урысейпсо зэхьэзэхуэри щекIуэкIар Налшык къалэщ. Абы хэтащ Урысей Федерацэм и щIыналъэ 40-м къикIа лIыкIуэхэр. Апхуэдэу къызэригъэпэщащ республикэм и пресс-IуэхущIапIэхэмрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ къулыкъу щызыщIэхэр щрагъаджэ семинархэр. Ахэр ирагъэкIуэкIащ Телевиденэмрэ радиомрэ я дунейпсо евразийскэ академием и вице-президент Мажейкэ Кипрас, Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь, «Журналистика и медиарынок» журналым и редактор нэхъыщхьэ Касютин Владимир сымэ, нэгъуэщIхэми. Республикэм и телевиденэр зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэгъэпэщыным, ар сыхьэт 24-м къриубыдэу лажьэу ящIыным мы зэманым щIэгъэхуэбжьауэ яужь итщ. КъищынэмыщIауэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу, махуэм сыхьэт 12-кIэ лэжьэну хуит зэращIам теухуа тхылъыр (лицензэр) республикэм и радиом къратащ. Абы и нэтынхэр иджы дэнэ щIыпIи къыщиубыдынущ FM 99, 5-м тебгъэувэмэ. ЗэфIэкIыным нэсащ республикэм интернет-агентствэ къыщызэгъэпэщынри. Министерствэм хамэ къэ-рал къиIэпхъукIыж ди хэ- куэгъухэм ядэIэпыкъуным, жылагъуэ, дин, лъэпкъ Iуэхухэм теухуауэ илъэс блэкIам къриубыдэу Iуэхугъуэ 400-м щIигъу иригъэкIуэкIащ. Абыхэм хэтащ цIыху мин 34-м щIигъу. Псалъэм папщIэ, гулъытэ хуащI ди хэкуэгъу къэIэпхъуэжхэм.Сирие Хьэрып Республикэм къикIыж адыгэхэм ядэIэпыкъуным хуэунэтIауэ министерствэм зэхуэс 20 иригъэкIуэкIащ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр хэту. КъэIэпхъуэжахэм ящыщу цIыхуи 100-м къыхудахащ Урысей Федерацэм и цIыхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ тхылъ. Ди хэ- куэгъухэм папщIэ ахъшэу зэхуахьэсамкIэ Прохладнэ, Бахъсэн, Лэскэн щIыналъэхэм узыщыпсэу хъун унэ 17 къыщащэхуащ. ФокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ ди хэкуэгъухэм я сабийхэр Налшык къалэ дэт курыт еджапIэу 6-м щрагъаджэ. КъэкIуэжахэр зэгъэщIылIа поликлиникэхэм уасэ щIамыту я узыншагъэм къыщыкIэлъоплъ. КъищынэмыщIауэ, КъБР-м и Президентым и фондымрэ езым и мылъкумрэ къыхэкIыу сом мелуани 3,5-рэ трагуэшащ Сирием къикIыжауэ дыдей щеджэ студент 274-м. Урысей Федерацэм и Президентым хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм ди къэралыр нэхъыфIу егъэцIыхуным теухуауэ къаригъэщта Программэм ипкъ иткIэ, Тыркум, Иорданием, Сирием щыпсэу адыгэ-абазэхэм ящыщу политик, хьэрычэтыщIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ нэхъ цIэрыIуэхэр 2012 гъэм и шыщхьэIум Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ. Урысей Федерацэм и Правительствэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, ди къэралым къэкIуэну хуейхэм щхьэкIэ квотэр хэпщIыкIыу хэхъуэнущ. Ди республикэм апхуэдэ тхылъу мин къратынущ мы гъэм. Къумахуэ Мухьэдин дяпэкIэ нэхъ гулъытэ зыхуэщIыпхъэ Iуэхугъуэхэм ящыщу къилъытащ социальнэ унэтIыныгъэ зиIэ, хьэрычэтыщIэу щымыт организацэхэм къэралыр зэрадэIэпыкъум хэгъэхъуэныр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэмрэ щэнхабзэмрэ зэрызебгъэужьыфынум, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ къэзыгъэщI щытыкIэм зэрызебгъэхъуэж хъуну Iэмалхэм щытепсэлъыхь нэтынхэр хъыбарегъащIэ Iэ- натIэхэм нэхъыбэу ягъэхьэзырын зэрыхуейм, нэгъуэщIхэми. Зи лэжьыгъэр къэзыпщытэж министерствэм къыхилъхьауэ щытащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм 2013 -2017 гъэхэм къриубыдэу зэрызаужьынур» программэм и проектыр. Ар гъэзэщIа зэрыхъум и гугъу здищIым, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэ-дзокъуэ Мухьэмэд къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр телеканалыр сыхьэт 24-рэ лэжьэфын папщIэ иджырей техникэм я нэхъыфIымрэ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэмрэ каналым иIэн зэры- хуейр. «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Сирием къикIыж ди хэкуэгъухэм ядэIэпыкъуным теухуа псапащIэ телемарафон республикэм щрагъэкIуэкIыну жэрдэм къыхилъхьащ. КъБР-м и Парламентым ЩIалэгъуалэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Хьэщхъуэжь Татьянэ и псалъэм къыхигъэщащ щIалэгъуалэм, республикэм щылажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ятеухуа нэтынхэр нэхъыбэн зэрыхуейр. Пщыгъуэш Iэсият. КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25865.txt" }
Зэманым декIур… Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщI, республикэм и жылагъуэ палатэм хэт Иуан Петр КъБР-м и Правительствэм деж щIэныгъэ — технологие зыужьыныгъэмкIэ щыIэ Жылагъуэ советым и зэIущIэ гъатхэпэм и 6-м иригъэкIуэкIащ. Абы щызэпкърахащ икIи къыщащтащ зи гугъу тщIы советыр мы гъэм зэрылэжьэну щIыкIэр. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Иуан Петр къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ инновацэ политикэр убзыхуным, абы тещIыхьа законодательствэр езыгъэфIэкIуэну Iуэхугъуэхэр гъэбелджылыным хуэунэтIауэ къалэнышхуэхэр къазэрыпэщытыр. Апхуэдэщ экономикэм и дэтхэнэ IэнатIэми унэтIыныгъэщIэ етын, еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэмрэ я зэфIэкIхэр нэхъ пыухыкIауэ къагъэсэбэпын зэрыхуейр. Къыхалъхьа Iуэхугъуэхэм хэплъащ. Япэ щIыкIэ зэпкърахащ IэнатIэхэм хуэхьэзыр щIэныгъэ-технологие къэхутэныгъэхэр къыхэхыным, инновацэ лэжьыгъэхэр щIэгъэхуэбжьэнымкIэ республикэм щыIэ хэкIыпIэхэр гъэбелджылыным, инновацэ предприятэ мыинхэр, технопаркхэр къызэгъэпэщыным икIи абыхэм зегъэужьыным теухуахэр. — Хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ гъуэгу тэмэм едмытауэ рынок зэхущытыкIэхэр нэгъэсауэ тхузэтегъэувэнукъым. НэгъуэщI къэралхэр абы и лъэныкъуэкIэ хэпщIыкIыу ипэкIэ кIуэтащ, инновацэ IэнатIэ цIыкIухэри хыхьэу, хьэрычэтыщIэ предприятэ мыинхэмрэ курытхэмрэ я къызэгъэпэщыкIэм хуэIэзэ хъуащ, — жиIащ Иуан Петр. — «КъБР-м щрагъэкIуэкI инновацэ лэжьыгъэхэм я IуэхукIэ» Закон диIэщ. ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэжри, 2005 гъэм ар кIэухыу къащтащ. Апхуэдэу «КъБР-м щIэныгъэ, щIэныгъэ техникэ IэнатIэхэр зэрыщызэдэлажьэр зэкIэлъыгъэкIуэным и IуэхукIэ» Законыр 2010 гъэм щыщIэдзауэ щыIэщ, ауэ ахэр ягъэзащIэркъым. Республикэ программэ хэхахэм я процент 90 — 95-м хуэфащэ гулъытэ ягъуэтыркъым. Зи гугъу сщIы законитIыр пхыгъэкIыным мы гъэм щIэддзэфмэ, абы ди пIэм дришынут. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэ центрым и унафэщIыр къытеувыIащ инновацэ зыужьыныгъэм и программэ хэхар пхыгъэкIыным хуэзэну мылъкур республикэ бюджетым къыхалъытэн щхьэкIэ япэ игъэщыпхъэу къилъытэхэм. Абы советым хэтхэм ягу къигъэкIыжащ иджыпсту бжьыпэр зыIыгъ гъэсыныпхъэ-энергетикэ IэнатIэхэм я пIэм щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр зэриувынур. Сыту жыпIэмэ, щIыдагъэмрэ газымрэ я хьэкъкIэ къызэрагъэпэщ бюджетхэм щыщу къэхутэныгъэхэм хухах мылъкур 2030 гъэхэм ирихьэлIэу къаIэрымыхьэжынкIэ хъунущ. Абы къыхэкIыу, зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэм жэрдэмыщIэхэр къыщыхалъхьэн мурад пыухыкIам тещIыхьа программэхэр ягъэхьэзыру щIэныгъэмрэ лэжьапIэ IэнатIэхэмрэ зэпызыщIэ экономикэ зэтраухуэн хуейщ. КъБР-м и япэ вице-премьер Уянаев Казым къыхигъэщащ мы Iуэхум жы-джэру яужь зэрихьапхъэр. — Республикэм инновацэм зэрызыщиужьынум и программэ зэхэт дгъэхьэзырыну къытпэщытщ. Къэралым и пщалъэ-правовой лъабжьэр нобэкIэ нэхъыбэу зытещIыхьар зи пIалъэр икIа индустриальнэ экономикэрщ. Апхуэдэ щытыкIэм зихъуэжын щхьэкIэ, зыхуэфащэ IэнатIэхэм лъэныкъуэ псори зэпашэчын, щIыналъэ политикэ убзыхун хуейщ. ЩыIэ проектхэр зыхуэдэр гъэбелджылыныр щхьэхуэщ. АбыкIэ зэфIэкIынукъым. Инновацэ технологиещIэ къагупсысмэ, Жылагъуэ советым къыщыхалъхьэу и ефIэкIыныгъэхэр щызэпкърахыпхъэщ. Экономикэ и лъэныкъуэкIэ фейдэ пылъмэ, проектым текIуэдэнум и зэхуэдитIыр Правительствэм хуитынущ. ЩIэныгъэмрэ промышленностым и IэнатIэхэмрэ зэтшэлIэну къытпэщытщ. Иджыпсту хуэдэу зэпэщхьэхуэу екIуэкIмэ, гъащIэм къигъэувхэм дыкъыкIэрыхунущ. Мы Iуэхум унафэ тэмэм щигъуэтынур пIалъэ кIыхьым тещIыхьауэ республикэр зыхуей, зэманым къигъэувхэм сыт и лъэныкъуэкIи хуэкIуэну инновацэ проектхэр дгъэхьэзырмэщ, — къигъэлъэгъуащ Уянаев Казым. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ хьэрычэтыщIэ IуэхущIапIэ цIыкIухэмрэ курытхэмрэ зегъэужьыным, инновацэ экономикэм теухуа хабзэхэр республикэм зэрыщылажьэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым инновацэ зыужьыныгъэмкIэ фонд къыщызэгъэпэщыным, щIэныгъэ къэхутэныгъэхэмрэ IэнатIэхэмрэ зэрызэпащIэ Iэмалхэм теухуа Iуэхугъуэхэм. Иуан Петр къызэхуэсахэм яжриIащ Правительствэм и хъыбарегъащIэ- анолитикэ центр къызэгъэпэщыным теухуауэ къыхилъхьа жэрдэмыр республикэм и Iэтащхьэм къызэрыдиIыгъар. 2030 гъэ пщIондэ КъБР-м зэрызиужьынум и Стратегиер гъэзэщIа зэрыхъумрэ инновацэр зыхуэдэмрэ абы и нэIэ щIэтынущ. Апхуэдэу зэхыхьэм щыхэплъащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысейм къэхутэныгъэшхуэхэмкIэ и фондхэмрэ щIыналъэ про-ектхэм мылъку зэрыхухах щIыкIэм, мурад пыухыкIам тещIыхьа республикэ программэ щхьэхуэхэм пыщIа Iуэхугъуэхэм. ЗэIущIэм лэжьыгъэхэр зэуIуу зыунэтIыну гупхэр къыщызэрагъэпэщащ, щIэныгъэ-технологие зыужьыныгъэмкIэ Жылагъуэ советым и мыгъэрей Iуэхухэр щагъэбелджылащ. Хьэжыкъарэ Алик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25869.txt" }
«Металлург-Кузбасс» — «Спартак-Налшык» — 0:0 Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012 — 2013 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм дыгъуасэ щIидзэжащ. Абы ипкъ иткIэ «Спартак-Налшыкыр» Новосибирск къалэм Новокузнецк и «Металлург-Кузбасс»-м щыдэджэгуати, бжыгъэр къызэIуамыхауэ лъэныкъуэхэр зэбгъэдэкIыжащ. Джэгур зэрекIуэкIамрэ абы иужькIэ турнир таблицэм игъуэта теплъэмрэ ятеухуа тхыгъэ ди газетым тетынущ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25872.txt" }
Мы махуэхэм Гъатхэпэм и 12, гъубж Тезырхэр щрагъэпшыныж IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ. 1879 гъэм гъатхэпэм и 12-м Урысейм и пащтыхь Александр ЕтIуанэм унафэ къыдигъэкIащ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм епха тутнакъэщ департамент къызэгъэпэщыным теухуауэ. Абы къыдежьащ Урысейм тезырхэр щрагъэпшыныж IуэхущIапIэ иIэныр. 1917 гъэм Урысейм пащтыхьыр щытрадзащ. 1918 гъэм Совет къэралыгъуэм и къалащхьэу ягъэуващ Москва къалэр. Гъатхэпэм и 11 — 12-хэм правительствэ IуэхущIапIэхэр Петроград къыдашри, Москва къагъэIэпхъуауэ щытащ. Рабочэ, сэлэт депутатхэм я Петроград Советыр къызэрагъэпэщащ. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ КIэрэф Къамболэт къызэралъхурэ илъэси 101-рэ ирокъу. УФ-ми Адыгэ Республикэми щIыхь зиIэ я сурэтыщI Къат Теувэж и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу. Химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Хъурей Арсен и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 — 16, жэщым градуси 9 — 11 щыхъунущ. Гъатхэпэм и 13, бэрэжьей 1733 гъэм франджы литературэм и классик Аиссе ХьэIишэт дунейм ехыжащ. 1917 гъэм «Известия» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ. 1955 гъэм ШынагъуэншагъэмкIэ Къэрал Комитет (КГБ) къызэрагъэпэщащ. Композитор, УФ-ми КъБР-ми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Шейблер Трувор къызэралъхурэ илъэси 113-рэ ирокъу. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Лениным и цIэкIэ щыIэ, СССР-м и Къэрал саугъэтхэм я лауреат Михалков Сергей къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу. УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шумахуэ Владимир и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу. Къэрал лэжьакIуэ, социологием и доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, АКъУ-м и ректор Хъунэгу Рэшид и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 — 15, жэщым градуси 7 — 9 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25874.txt" }
Ягу къагъэкIыжу Гъатхэпэм и 8-м илъэс 69-рэ ирикъуащ балъкъэр лъэпкъыр залымыгъэкIэ хэкум зэрырашрэ. А махуэм хуэщыгъуэну цIыхухэр щызэхуэсат 1944 — 1957 гъэхэм политикэ залымыгъэм ихьахэм я фэеплъ Долинск дэтым деж. Абы къекIуэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар, Правительствэм хэтхэр, республикэм щыIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Балъкъэр лъэпкъым и «Алан» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Беппаев Суфьян пэублэ псалъэр жиIа иужь, КъБР-м ис муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Мисиров Хъызыр политикэ залымыгъэм хэкIуэдахэм папщIэ къызэхуэсахэм дыуэ яригъэщIащ. Зэхуэсым къекIуэлIахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ балъкъэр усакIуэ Мечиев Кязим и кхъэлэгъунэм. ИужькIэ цIыхухэр щIыхьащ политикэ зэлымыгъэм ихьахэм я музейм икIи балъкъэр лъэпкъым и тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр къэзыгъэлъагъуэ хьэпшыпхэм, сурэтхэм, тхыгъэхэм щыгъуазэ зыхуащIащ. КъыкIэлъыкIуэу фэеплъым и бжэIупэм пэкIу щекIуэкIащ. Абы хэтащ Къалмыкъым, Ингушым, Къэрэшей-Шэрджэсым къикIа лIыкIуэхэр, балъкъэр лъэпкъым и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэр. Тхыгъэри сурэтри Къумахуэ Аслъэн ейщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25877.txt" }
Ди студентхэм я ехъулIэныгъэ Дон Iус Ростов къалэм дэт ухуэныгъэмкIэ къэрал университетым промышленно-граждан ухуэныгъэр IэщIагъэу къыхэзыхьа студентхэм я лэжьыгъэ нэхъыфIхэр къыхэхынымкIэ урысейпсо олимпиадэм и щIыналъэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыщу абы хэтащ инженер-техникэ факультетым промышленно-граждан ухуэныгъэмкIэ и къудамэм и 5-нэ курсым щеджэхэу Мэзан Алим, Къуэдзокъуэ Аскэр, ПщыхьэщIэ Алибэч сымэ. Мэзан Алим щIыхь тхылъ къыхуагъэфэщащ икIи урысейпсо олимпиадэм и кIэух зэпеуэм хэтынухэм хагъэхьащ. Ар мэлыжьыхьым Новгород Ищхъэрэ щекIуэкIынущ. ПщыхьэщIэ Алимбэчрэ Къуэдзокъуэ Аскэррэ 4-нэ, 6-нэ увыпIэхэр къахьащ. Лъостэн Музэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25880.txt" }
ЩIэныгъэншагъэр динми идэркъым Тхьэмахуэ кIуам ди республикэм щыхьэщIащ Тыркум лэжьыгъэ IуэхукIэ къикIа лIыкIуэхэр. Тырку Республикэм дин IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Эмен Селами, Дюзджэ къалэм и муфтий Хилми Ибрэхьим, ТР-м и лIыкIуэу УФ-м щыIэм дин IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъу Сагълыкъ Фахъри сымэ IущIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий, Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и ректор Чочаев Шарафуддин сымэ. Тыркум къикIа хьэщIэхэр ди республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къригъэблэгъауэ аращ жылагъуэ-дин IуэхухэмкIэ дяпэкIэ нэхъ куууэ зэпыщIа хъун, Тыркумрэ КъБР-мрэ я гъэзэщIакIуэ властымрэ дин IуэхущIапIэхэмрэ зэрызэдэлажьэ щIыкIэм и пIалъэкIэ зэчэнджэщын папщIэ. Къуэдзокъуэ Мухьэмэд хьэщIэхэр щигъэгъуэзащ ди щIыналъэм муслъымэн зэгухьэныгъэу 125-рэ зэриIэм, а псори КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм зэрепхам, ислъам университетым студенти 147-рэ зэрыщIэсым, абыхэм диным ехьэлIа дерс 23-рэ светскэ дерсу 12-рэ зэрыщаджым, университетым мыдрисэ зэрыхэтым, абы къищынэмыщIауэ Налшык къалэ дин-егъэджэныгъэ центр ин зэрыщаухуэм, нэгъуэщIхэми. Эмен Селами къыхигъэщащ ди лъахэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэхэмкIэ, студентхэм зэрахуэзамкIэ арэзы зэрыхъуар. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэри щIыуэпсри хуабжьу дигу ирихьащ», — жиIащ хьэщIэм. Гъэсэныгъэм и гугъу щищIым, Селами къыхигъэщащ ислъам диныр узэрыхуейуэ зэпхьэкI зэрымыхъунур. «Диным егъэзыгъэ хэлъкъым, абы уи гур хузэIумыхамэ, фIым ухуиунэтIу щымытмэ, жылагъуэм зэран хуэхъун куэд къикIынущ», — жиIащ Селами. Хилми Ибрахьим и псалъэм къыхигъэщащ Налшыкрэ Дюзджэрэ къалэ-зэкъуэшхэу зэрылъытэ зэрыхъуар зэригуапэр икIи бысымхэр абы зэрыригъэблагъэр. ЗэIущIэм и кIэухым Къуэдзокъуэ Мухьэмэд хьэщIэхэм яжриIащ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэхэм теухуауэ къыхалъхьэнухэм зэрыпэплъэнур, республикэм мыхьэнэшхуэ зрит жылагъуэ-дин зэхущытыкIэхэм зрагъэужьыным гулъытэ хэха зэрыхуащIынур. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25882.txt" }
КIыщокъуэ Алим Гъуэгу къежьапIэ «Адыгэбзэр сыт щIэдджынур!? Зыдынэсыр КъалэкIыхьырщ», — Ар ауану Iэджэм жаIэр, Мышыу псалъэм тIэкIу хэчыхьу. ЩызэхэсхкIэ сэ а псалъэр, А гушыIэр сигу темыхуэ. Станцым нэскIэ унигъэсмэ, Ар бзэм дежкIэ уфIэмащIэ? Бзэр шу лъагъуэм хузогъадэ, Бгъузэу щытми, станцым нос. Унэсакъэ — гъущI гъуэгушхуэм Къыщыппэплъэу тетыр поездщ. Уи гъуэгуанэр жыжьэу щытрэ, УкIуэфынум къыумыгъазэу — Шым епсыхи кIуэ мафIэгукIэ, Тетщ а гъуэгум вагъуи мази. Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу, ГъущI гъуэгушхуэм сытехьакъым, Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу, Урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым. Iуащхьэмахуэ телъ уэс къабзэу, Сянэм и бзэр сэри сфIэфIт! Си букварыр зэIусхауэ Сыкъеджамэ, махуэр уэфIт. Ноби школым кIуэм а тхылъыр Я блэгущIэм цIыкIухэм щIэлъщ, Урысыбзэм и гъуэгушхуэм Нытехьэну я гум хэлъщ. Адыгэбзэр, хэт фIэгугъуми, Ещхьщ си дежкIэ псыIэрышэм. Ар уэрэду зэхызохыр, Къурши губгъуи къыдэушу. Хэт ухуейми сыкъыдожэ, Iэджэм япэ сэ сищащ. Адыгэбзэу си шы Iэсэм Шы тесыкIэ сигъэщIащ. Ар си гъуэгум и къежьапIэщ, Ар си дамэщ, ар си напщIэщ, Ар сымыщIэу щытыгъатэм, КIэщI дыдэнут сэ си гъащIэр. Сянэм и бзэу си нэм хуэсхь, Уэ къыптехуэр схуохъу удын. Гъуэгу тетыныр сэ щызухкIэ, Уи Iэр сIыгъыу сыухынщ. Къагъырмэс Борис Щыгъуазэ сщIынт, слъэкIамэ, дуней псор IэфIыгъэу, лIыгъэу пхэлъыр, уи гуапагъэр Куэд щIауэ псэкIэ зыхэсщIэу сопсэу. СлъэкIамэ, ахэр минкIэрэ згъэбагъуэу, Сыпхуэлэжьэнти, си бзэ, гъащIэ псом. Уэрщ сытым щыгъуи си гур зыгъэнэхур, СиIэту уэрщ сизыхьэр лIыгъэ уэгу. Ди лъэпкъым щыщми, бзэр зыфIэмыIуэхур Адыгэу плъытэу, уиплъэ хъун и нэгу?! ФIокIуэдыр и бзэр уэ узыфIэкIуэдым, КъыпхужызыIэм: «Бзэ лъэрымыхь цIыкIущ…» Уэ къыпхуэпэж уи бын гуащIафIэ куэдым Я тхыгъэхэр ипхъащ къэрал утыку. Уэ Iэщэ жану уриIащ Бэчмырзэ. Ар закъуэныгъэм щиубыдам, уэ зырщ Къыкъуэувар, и щэху зрихьэлIа гъусэу, — Урителъхьэну пэжым ухьэзырщ. Алий и усэм дамэ лъэщ ухуэхъури, ПIэтащ и псалъэр налкъут зэщIэлыдэу. Пэжыгъэм, лIыгъэм ди бзэкIэ дехъуэхъури, Дыщыуващ гъащIэщIэм, ди лъэр быдэу. Сэ уи къэкIуэнум согупсысыр куэдрэ, Сыхуейщ уи гъащIэр хъуну нэхъри кIыхь. Насып иIэжкъым лъэпкъым, и бзэр кIуэдмэ, — ЗауэлI Iэщэншэу, мэхъу ар лъэрымыхь. Хуэблэжьыр лъэпкъым нэхъри уэ бгъэбагъуэу, Ди адыгэбзэ, куэдрэ утхуэпсэу! IэфIыгъэу, лIыгъэу пхэлъым, уи гуапагъэм Щыгъуазэ сщIынт, слъэкIамэ, дуней псор. КъБР, Лэскэн ЕтIуанэ къуажэ. Бемырзэ Мухьэдин Адыгэбзэ Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж, Си гукъыдэж, си гурыфIыгъуэ, Дунейр уэрыншэм ныбгъуэхьэшт, УзиIэу зыми семыфыгъуэ. УзиIэу зыми семыиж — АбыкIи, си бзэ, уэрщ си щапхъэр: Сэ уи беягъкIи сыбеижщ. Адрейхэр сщIэнуи сыхуопабгъэр. Уэрыншэм гъащIэр шхын мышут, И IэфIи фIэIуи зыхэзмыщIэу, Мо дыгъэ къепсыр щхьэкIуэ шут, Абдж къызэрыкIуэт вагъуэ мыщIэр. ЖызыIэ щыIэщ псалъэгъэху Уэ къэбгъэщIэнур къэбгъэщIауэ, И псалъэ кIапсэр зэрихъэху УфIэмыIуэхуу, къопэбжьауэу. Сэ зы дакъикъи семыдэIу Абы я псалъэ мыжьэ-мывэм — Къуршыпс ежэхыр хуэщIкъым дэгу Абы зыгуэрым хидза мывэм. Псыр тожри мывэхэр къонэж, Гъуэгу зэрытехьэрэ и псыпэр ЗэринэкIар абы гъунэжщ Мывэ пкIэлъейрэ щхьэдэхыпIэу. Си адыгэбзэ, уэ улъэщщ, Зи зэманыгъуэу угурыхуэщ, ЦIыхугу дэтхэнэри къотIэщI, Уэ ущагъабзэкIэ Iэрыхуэу. Зэм, си бзэ, уохъури уэ жьгъыру, Адыгэ пшынэу уобзэрабзэ, Зэм къызэкъуохри уи къарур, ХеящIэ джатэу ар уогъабзэ. Анэ быдзышэу уэ уIэфIщ, УщыщхьэщыскIэ сабий гущэм, Гухэлъ уэрэди жыбоIэф, ЗэригъэзэкIыу пщащэ гущIэр. Уэ уафIэжьгъеймикъэбгъэщIащ Зэрыдунейуэ зэджэ «Нартхэр», Гъэ минхэр, си бзэ, уэ бгъэщIащ Иджыри мащIэкъым уи натIэр… Си лъэпкъым щIэблэ къыщIэхъуам Насып вагъуэбэу ужьыхэпсэу, Я нэхъ тхьэмыщкIэ ар щыхъуам УреIэ уэ, си адыгэбзэ! КъШР, Хьэгъундыкъуей къуажэ Бицу Анатолэ Анэдэлъхубзэ ХьэфIыцМухьэмэд хузотх Си анэдэлъхубзэу си псэ, Си анэдэлъхубзэу си нэ, Щхьэ ущымыIужрэ къабзэу Нобэ уэ адыгэ унэ? Си анэдэлъхубзэу дахэ, Си анэдэлъхубзэу пагэ, Зэгуэр ди адэжьхэр уэрти Дуней псом язэрыхэтыр! Си анэдэлъхубзэу гуапэ, Си анэдэлъхубзэу гуащIэ, Уи бын пэжхэр щIым гуп-гупу Щызэбгридзакъэ гъащIэм. МащIэр хъурэ гуащIэмащIэ? МащIэр хэкIуэдэжрэ занщIэу? Си анэдэлъхубзэу щыпкъэ, Уэ ущхьэщыхьакъым нэпкъым! Си анэдэлъхубзэу нахуэ, Си анэдэлъхубзэу хахуэ, Зы шу закъуэу щытми, нартыр Пэувыфти и дзэм чынтым! Си анэдэлъхубзэу уардэ, Си анэдэлъхубзэу быдэ, КIуэщIыр пэжмэ уэ уи лIыгъэр, Ар дэращ зи хуэмыхугъэр. Си анэдэлъхубзэу си псэ, Си анэдэлъхубзэу си нэ, Щхьэ ущымыIужрэ къабзэу Нобэ уэ адыгэ унэ? И тхылъ тIэкIухэр пхуэхъуу мащэ, Уехыжауэ дунейм къищIэм, — Си анэдэлъхубзэу хъыжьэ, ТхакIуэр уэ уи сын мывэжькъэ! Ямыпсыхьу къэна куэпкъырщ Сосрыкъуэ иIар лIапIэу. Си анэдэлъхубзэу лъапIэ, Уэ улIэжмэ — ЛIэжащ лъэпкъыр. КъБР, Аушыджэр къуажэ. Къущхьэ Нэдим Ди псэ Лъэпкъым и щIалэу зи бзэр кIуэда, Щхьэ мыгъуэ пщIэншэу укъагъэна? Щхьэ уянэ-уядэу уэ узыпIахэм Уи адыгэбзэр къыпIуамылъхьа? Щхьэ уи лъэпкъ дыщэм и бзэр пIурачу НэмыщI бзэ хьэхухэм укъыхуэна? Iэджэ щхьэ нэщIхэм нобэ къыджаIэр: «Сыт адыгэбзэ зи гугъу къытхуэфщIыр, Ди щIакхъуэр зейхэрщ нобэ ди бзэр, СыткIэ ди щхьэпэ анэдэлъхубзэр?» Ар щызэхэсхым си гур къекIуащ, Бзэр умыщIэжмэ, хамэ ухъуащ. ЩIыхь яхузощIыр дэ дянэ-дядэм, Ди адыгэбзэр къытIурызылъхьахэм, Адыгэ напэу, дахэу, ди шыпхъухэ, Фыпсэу ди нэхухэу Сэтэней бынхэ. Ди цIыкIухэм я бзэр къызэтевгъанэ, Вагъуэплъхэр бзагуэу къытхуэвмыгъанэ, Анэдэлъхубзэр ящымыгъупщэм, Къытхуэфхъумащи, быныфI тхуэхъунщ. Сабийхэу зи бзэр зыIулъ ди нэхухэр Ди жэнэт бзущи, Iэджэ я уасэщ. Ди бзэр дэ ди псэщ, ар зыфIэкIуэдхэр Мы хамэ щIыпIэм лIапIэ щихуахэщ. Сирие, Дамаск къалэ Бещтокъуэ Хьэбас * * * Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым. Акъыл ин ухуэмей КъыбгурыIуэу а тIэкIур Утетыну дунейм. Бзэм и макъхэм ди тхыдэр, Ди лъыр, ди псэр хэпщащ. Бзэр тхъумэну зымыдэр Ди биям къагъэщIащ. Бзэр тIэщIэкIмэ, досыкIыр, ТIэщIэкIами дрикъунт. КIуа лIэщIыгъуэм лъыкIпсыкIым Хипщэжар сыт хъужын? Бзэр тIэщIэкIмэ, докIуэдыр. Лъы зыщIэтыр фысакъ. Псы зыщIэтыр текIуэту, ВгъэIу бзэ хуабэм и макъ. КъБР, Ислъэмей къуажэ Пхъэш МуIэед * * * Адыгэбзэр жаIэ кIуэдыжыну. Ар уи фIэщ уэ хъурэ, си ныбжьэгъу? Зэхэпхар уигу къеуэу умышынэ, Ди бзэр хуэныкъуэххэкъым гущIэгъу. Черкесск къалэ. 1996 гъэ Гъунокъуэ ПыкIэ Махуэ къэс ягъэкIуэд Уи анэ IэфIу Уэ къопсалъэ щыхъукIэ, Уи нэкIущхьэ ба къыхуищIу, Уи тхьэкIумэм къызэриIущащэ Бзэр аращ уи анэдэлъхубзэр. Хуитыныгъэм папщIэ шы зыгъафэр, Гъэсэныгъэм хуеIэу щхьэр зыIэтыр, ЩIыгум хэхуэж хъумэ, Уи адэжь къыпхуигъанэ Бзэр — аращ уи анэдэлъхубзэр. Махуэ къэс бгъэкIуэдрэ ПщIэ зыхуамыщIыжыр, Уи гупсысэхэр Зыхьыж — зыIызыщIэжыр, Узэлъэпэуа бзэращ — Уи анэдэлъхубзэрщ! Тырку, Къайсэр къалэ Дыгъужь Къурмэн Къуажэм сыдешэж Черкесск уфIэкIамэ, адыгэбзэм Ухуеижкъым жызыIи къахокI. Пэжу, урысыбзэр, англыбзэр Къэрал куэдым гъуэгушхуэу щыпхокI. А бзэхэм яIыгъыурэ си Iэпэр, Хыми щIыми сызэпрашащ. Ахэр бейхэщ, хуабжьу гуапэщ, ЦIыхуфI куэди ныбжьэгъу къысхуащIащ. Ауэ адыгэбзэм сэ схуилэжьыр ХулъэкIыну теткъым зы бзэ щIым — Сыщалъхуа къуажэжь сыдэзышэжыр Адыгэбзэрщ, ар сытым пэсщIын! КъШР, Абыкъу къуажэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25888.txt" }
ЕЗИЙ Оксанэ: Ди бзэр, лъэпкъ хабзэр япэ игъэщыпхъэщ КъытщIэхъуэ щIэблэр тэмэму гъэсэнымрэ егъэджэнымрэ зи гуащIэ хьэлэл езыхьэлIэу, анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я пщэ къыдэхуэ жэуаплыныгъэр псэкIэ зыхищIэу зи IэнатIэм пэрыт хэкупсэхэм ящыщщ Аруан куейм хыхьэ Къэхъун къуажэм дэт курыт школ №1-м щылажьэ Езий (Бекъалды) Оксанэ. Мы гъэм илъэс 15 мэхъури, Оксанэ школым къекIуалIэ ныбжьыщIэхэм ярегъэдж адыгэбзэмрэ литературэмрэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр нэхъри егъэфIэкIуэным, ар иджырей мардэхэм изагъэу къызэгъэпэщыным йогугъу. Ар сыт щыгъуи хущIокъу и Iуэху зехьэкIэм щIэ гуэр зэрыхилъхьэным, и дерсхэр и гъэсэнхэм я дежкIэ щIэщыгъуэ зэрищIыным. ЕгъэджакIуэр жыджэру хэтщ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм. «Си бзэ — си псэ, си дуней» щIыналъэпсо фестиваль-зэпеуэм абы хуигъэхьэзырауэ щыта дерсхэр нэхъыфIхэм халъытат, абы къыпэкIуэуи КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, саугъэтхэр хуагъэфэщащ. Езий Оксанэ Адыгэ тхыбзэм и махуэм и пэ къихуэу Езийм упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. — ЕгъэджакIуэу улэжьэфынукъым, сабийхэр, уи IэщIагъэр фIыуэ умылъагъуу. Уэ адыгэбзэм хууиIэ лъагъуныгъэм, анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэ ухъуным къежьапIэ яхуэхъуауэ къэплъытэр сыт, Оксанэ? — Сабийм и сыт хуэдэ хьэлми, зэфIэкIми, дуней еплъыкIэми щIэдзапIэ яхуэхъур ар къызыхэкIа и унагъуэрщ. Сэ сыкъыщыхъуа унагъуэр хабзэрэ нэмысрэ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зэрылът. Ди адэ-анэм дыщIапIыкIащ езыхэм я нэхъыжьхэм къыхуагъэна лъэпкъ фIыгъуэхэм: адыгэ хабзэм, пщIэм, нэмысым. Къыддалъхуа бзэрщ ди унагъуэм дапщэщи илъар. АбыкIэ къыджаIэжырт таурыхъхэр, къытхуеджэрт нартхэм ятеухуа хъыбарыжьхэм. Адыгэбзэм и пIэр нэгъуэщIыбзэм иубыдыным, зэгуэр дрипсэлъэнуи ар зэдмыпэсыжыным дегупсысыххэу щытакъым, иджы нэрылъагъу зэрыхъум хуэдэу. Апхуэдэу дыкъэхъуащ, анэдэлъхубзэр тIурылърэ тфIэIэфIу. А лъагъуныгъэм хэхъуащ курыт школым сыщыщIэса илъэсхэм. ЖыпIэнурамэ, куэд елъытащ егъэджакIуэм и щапхъэм. Сабиипсэм нэхърэ нэхъ къабзэрэ нэхъ зэIухарэ щыIэкъым икIи абы занщIэу зыхещIэ балигъыр и лэжьыгъэм зэрыхущытыр. Апхуэдэ щапхъэ дахэ зытетхт адыгэбзэмкIэ дезыгъэджа Жамборэ Iэуес. Къэхъун къуажэм дэт курыт школ №1-р 1993 гъэм къыщызухам, сэ сщIэрт сызыхуеджэну IэщIагъэр. Ар къыщыхэсхым, дауи, псом япэ итар къыздалъхуа бзэм хузиIэ лъагъуныгъэ мыухырщ, си егъэджакIуэм дэслъэгъуа Iуэху зехьэкIэ дахэрщ. КъБКъУ-м адыгэбзэмкIэ и къудамэм сыщIэтIысхьэри, 1998 гъэм къэзухащ икIи, сыщеджа школым къэзгъэзэжауэ, нобэ къыздэсым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щызогъэдж. — Оксанэ, уэ, дауи, ущыгъуазэщ ди лъэпкъым и цIыху пажэхэр, хэкупсэхэр адыгэбзэр хъумэным, абы зегъэужьыным зэригъэпIейтейм. А Iуэхум псом япэу тегузэвыхьхэм фащыщщ фэри, школхэм анэдэлъхубзэр щезыгъэджхэр. — Адыгэм къытщIэхъуэ щIэблэм анэдэлъхубзэр ящIэу, абы и IэфIагъыр, дахагъыр зыхащIэу къэдгъэхъуным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ди школым щылажьэ егъэджакIуэхэр, ирагъэдж предметым емылъытауэ, хущIокъу щIэблэ узыншэ, зи гупсысэкIи IуэхущIафэкIи нэхъыжьхэм яхуэфэщэн щIалэгъуалэ жылэм къыдэхъуэным. СызэригугъэмкIэ, дэтхэнэ адэ-анэми и къалэнщ сабийм и анэдэлъхубзэр иригъэщIэну, абы пщIэ хуищIу, хэутэн имыщIу къигъэтэджыну, иритхэфу, ирипсэлъэфу балигъ гъащIэм хигъэхьэну. Абы нэхъ къалэнышхуэрэ пщIэшхуэ зиIэрэ адэ-анэм ямыIэми ярейуэ къысщохъу. ЦIыкIу щIыкIэ бзэр къэзыщтам ар иужькIэ IэщIыб ищIынукъым. Адыгэбзэм ирилажьэхэр дегъэгузавэ къыдалъхуа бзэр я быным ямыджмэ нэхъ къэзыщтэхэр адэ-анэхэм къазэрыхэкIым. Куэдрэ долъагъу адыгэ унагъуэм къыхэкIа сабийхэм адыгэбзэр мыадыгэ гупхэм яхэсу яджу. УрысыбзэкIэ фIэкIа щызэмыпсалъэ унагъуэ куэди урохьэлIэ. Апхуэдэ Iуэхугъуэ мыщхьэпэхэр адыгэ къуажэхэм иджыри къэсакъым, ауэ къалэхэм къыщыхъу адыгэ щIэблэри ди лъэпкъым щыщщ. Пэжщ, зи жьауэм ущIэт, узыхэт къэралыгъуэм, лъэпкъышхуэм и хьэлым, и псэукIэм щыщ гуэр зыхыумылъхьэнкIэ Iэмал иIэкъым, ауэ уэ къыбдалъхуа бзэр, лъэпкъ хабзэр псоми япэ игъэщыпхъэщ. Бзэр хъумэныр, псом хуэмыдэу лъэпкъ цIыкIухэм я бзэхэм зегъэужьыныр, ар къэралпсо Iуэхуу щытын хуейщ. — Школым узэрыщылажьэ зэманым къриубыдэу, дауэ уеплърэ, анэдэлъхубзэм къэралым хуищI гулъытэм хэхъуа? — Узыгъэгушхуэнрэ уи лъэр жан зыщIынрэ абы хэлъу къысщыхъуркъым. Псом япэрауэ, адыгэбзэр джыным хухах сыхьэт бжыгъэм кIэрыхуащ. Етхуанэ классым къыщыщIэддзэнщи, адыгэбзэм нэхъапэм хухахыу щыта сыхьэти 6-м и пIэкIэ иджы зэреджэ планым къыщыгъэлъэгъуар сыхьэти 4-щ. Ебланэ, еянэ, ебгъуанэ классхэми сыхьэт зырыз кIэраудри, щырыщ къагъэнауэ аращ. ЕпщIанэ классми зэхъуэкIыныгъэ игъуэтри, сыхьэти 3-м и пIэкIэ 2 къытхуагъэнауэ аращ. Апхуэдэу, анэдэлъхубзэм курыт школым щиIэ пщIэр мащIэ зэрыхъуар къегъэлъагъуэ епщыкIузанэ классыр къэзыух еджакIуэхэм адыгэбзэмкIэ яту щыта экзаменыр къызэрапщытэ лэжьыгъэкIэ зэрызэрахъуэкIами. Уеблэмэ адыгэбзэмкIэ къахь оценкэр аттестатым иратхэркъым, абы хухах сыхьэт бжыгъэр зэрымащIэм къыхэкIыу. Ар зылъагъу ныбжьыщIэми абы и адэ-анэми анэдэлъхубзэм хуаIэ щытыкIэм зимыхъуэжынкIэ Iэмал иIэкъым. А псоми хуабжьу дагъэгузавэ, лъэпкъым и къэкIуэнур адэкIэ зэрыхъунум драгъэгупсыс. — Апхуэдэ лъэпощхьэпохэр зэран хуэмыхъуу пIэрэ сабийхэм я анэдэлъхубзэм хуэфащэ пщIэ хуащIыным? — Дэтхэнэ егъэджакIуэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ яIэщ и гъэсэнхэм и предметым къыхуащI гулъытэмрэ пщIэмрэ — сэри аращ. Абыхэм я куэдагъыр е мащIагъыр щхьэусыгъуэ зыбжанэм елъытащ. Псалъэм папщIэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щыщIэтIысхьэкIэ а предметымкIэ экзамен ятын-ямытын, абыкIэ яIэ щIэныгъэр къалъытэн-къамылъытэн, иужькIэ гъащIэм къыщагъэсэбэпын-къыщамыгъэсэбэпын, н.къ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр епхьэлIэ хъунущ нэгъуэщI дэтхэнэ предметми, къыбдалъхуа уи анэдэлъхубзэм нэмыщI, сыту жыпIэмэ а бзэрщ лъэпкъым узэрыщыщыр адрейхэм къызэращIэр, дуней псом уазэрыхэтыр, нэгъуэщIхэм уакъызэрыщхьэщыкIыр. Есэпым, физикэм, химием, нэгъуэщI предметхэми IэщIагъэ гуэр зэбгъэгъуэтын папщIэ ухуеймэ, уи анэдэлъхубзэм, адыгэбзэм упсэун, адыгэу зыкъэплъытэжын щхьэкIэ ухуейщ. Зи бзэр зымыщIэр лъэпкъым зэрыщыщыжыр и зэхуэдитIкIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ анэдэлъхубзэрщ нэхъ гъунэгъуу, IупщIу къытхуэзыхьыр, къытхуэзыIуатэр, тхуэзыхъумэр ди тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр. Зи блэкIам пщIэ хуэзымыщI лъэпкъым къэкIуэну дахэ иIэнукъым. Си Iуэху еплъыкIэхэр си еджакIуэхэм къазэрыгурызгъэIуэным сыт щыгъуи сыхущIэкъуу солажьэ. Си бзэм, си IэщIагъэм хузиIэ лъагъуныгъэ иныр щIэблэми зэрызыхезгъэщIэным, ахэри анэдэлъхубзэм, щалъхуа я щIыналъэм гурыщIэ къабзэ хуаIэу къэгъэтэджыным солIалIэ. — СызэрыщыгъуазэмкIэ, уи псэ хьэлэл лэжьыгъэр псыхэкIуадэ хъуркъым. Уэ уиIэщ узыгъэгушхуэ гъэсэнхэр. — Тхьэм и шыкуркIэ, апхуэдэ гурыфIыгъуэ сыщагъащIэркъым си гъэсэнхэм. Ахэр жыджэру хэтщ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, адыгэбзэм зэрыхуэшэрыуэр, абыкIэ яIэ щIэныгъэр къагъэлъагъуэу. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо фестивалым къриубыдэу лъэпкъ усакIуэшхуэхэм я щIыхькIэ екIуэкIа еджэныгъэхэм япэ увыпIэр къыщызыхьа ЖьэкIэмыхъу Маринэ, адыгэбзэмкIэ, литературэмкIэ зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр тхуэзыгъэдахэ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ Къарэ Залым, класс нэхъыжьхэм щеджэхэу Нартыжь Заремэ, Щхьэгъэпсо Иринэ, Сэншокъуэ Беслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри. Мы гъэм къысIэрыхьа 5-нэ классми щIэсщ гугъэфIхэр уэзыгъэщI сабий зыбжанэ. Абыхэм я зэфIэкIхэм Iэтауэ уатепсэлъыхьыну пасэми, хэкупсэ гъэсэныгъэ дахэ зэрахэлъым, ди анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу къызэрытэджым гу лъыботэ. ЕгъэджакIуэхэм ди дежкIэ гуапэщ ди гъэсэнхэр ди лъэужьым щрикIуэжри. Апхуэдэуи мащIэкъым диIэр. Адыгэбзэм гу хуащIауэ КъБКъУ-м иджыпсту щоджэ ЕкIэщIауэ Заретэрэ УанащIэ Аринэрэ. ЖыIэн хуейщ бзэмрэ хабзэмрэ джыныр зыфIэфI щIэблэ хьэлэмэти дызэриIэр. ЕгъэджакIуэхэм ди къалэнщ абыхэм я псэм къыщыуш апхуэдэ мурад дахэр ядэтIыгъыну, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм щызекIуэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къэдгъэсэбэпурэ. ЩIэблэм къагурыдгъэIуэн хуейщ ди анэдэлъхубзэр ди псэу, ди дунейуэ ипэжыпIэкIэ зэрыщытыр. — Уи мурадхэр къохъулIэу, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрыбгъэхьэу уи IэнатIэр епхьэкIыну ди гуапэщ, Оксанэ. Епсэлъар КЪАРДЭН Маритэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25890.txt" }
Хэт мы тхыгъэр зыхуэгъэзар? Дунейм бзэуэ тетыр зы бзэщ къызытекIар, апхуэдэу щыхъукIэ, зы лъэпкъщ а бзэм къежьапIэ езытари. Ауэ цIыху бжыгъэр багъуэм, зэбгрыкIыурэ, зы бзэ закъуэу щытар зэтепщIыкIыу щIидзащ икIи къызытехъукIа бзэм темыхуэж хъуащ тIэкIу-тIэкIуурэ. Апхуэдэу бзэ зэхуэмыдэхэр къэунэхуащ, зы лъэпкъыу щыта цIыхухэр лъэпкъ куэд хъуащ. Бзэ щхьэхуэкIэ псалъэ лъэпкъхэр багъуэурэ, бзэуэ мы дунейм тетхэм я бжыгъэр 6500-м нэсащ. Абы и ужькIэ лъэпкъыбзэхэм я бжыгъэм хэщIу щIидзащ, мащIэ фIэкIа мыхъу лъэпкъхэм я бзэр яхуэмыIыгъыжу, цIыху нэхъыбэ зэрыпсалъэ бзэхэм техьэу къызэраублам къыхэкIкIэ. Лъэпкъыбзэ 4000-м щIигъум зыри иримыпсэлъэж хъуащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, а бзэхэр кIуэдыжащ, ахэр зезыхьа лъэпкъхэм я нэхъыбэр къанэри. Иджыри лъэпкъыбзэу дунейм тетым я бжыгъэм хощI махуэ къэс, зи бжыгъэр мащIэ лъэпкъхэм я бзэхэр яфIокIуэд. Уэхъутэ Александр НобэкIэ нэхъыбэу Iурылъ бзэ 40-м иропсалъэ дунейм цIыхуу тетым я Iыхьэ щанитIыр. Абыхэм ящыщу ипэ итхэр китай (чынт), испан, хинди, инджылыз, урыс, португал, хьэрып бзэхэращ. Франджыбзэм ирипсалъэхэри мащIэкъым, ауэ ар зи анэдэлъхубзэу зыбжхэр куэд хъуркъым. Сыт хуэдэ атIэ япэ дыдэу щыIа, псори къызытехъукIыжа бзэр? Бзэ щIэныгъэлIхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ йолэжь ар зэхэгъэкIыным. ИджыпстукIэ а еджагъэшхуэхэм къызэралъытэмкIэ, адыгэбзэр мы дунейм щынэхъ пасэрей дыдэ бзитхум ящыщщ. Ауэ, апхуэдэу щыт пэтми, ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэбзэр нобэ зытет гъуэгур щIагъуэкъым. Адыгэбзэр мыкIуэду къызэтенэн, дэ къыткIэлъыкIуэнухэр хуиту а бзэм ирипсалъэу псэун щхьэкIэ Iуэхугъуэ куэд лэжьын хуейщ. Бзэр едгъэджын къудейр мащIэIуэщ, анэдэлъхубзэмкIэ деджэу, абыкIэ щIэныгъэ зэдгъэгъуэту, дрилажьэу, Iуэху иризетхьэу дыщымытмэ. Тхьэм къыдитауэ анэм къыддилъхуа ди бзэр тхъумэну псоми ди пщэрылъщ, Тхьэм и пащхьэми, ди нэхъыжьхэм я пащхьэми абыкIэ жэуап дохьри. ИкIи ди дунейр тхъуэжа иужь, Тхьэр къызэрыдэупщIыну Iуэхугъуэхэм мы упщIэхэр зэращыщым сэ шэч къытесхьэркъым: — Бзэуэ уи лъэпкъым Сэ хуэзгъэфэщар пхъума, дунейм ущытетым? — Къабзагъэу уи лъэпкъым Сэ хэслъхьар зепхьа? — Уи анэ-адэм пщIэ яхуэпщIа, арэзы пщIа, ягу бгъэзэгъа? — Уи анэдэлъхубзэмкIэ абыхэм уепсалъэрэт? Абы дынэмысми, нобэ мы дунеишхуэм щыпсэу адрей лъэпкъхэм я бзэм хуэдэщ ди адыгэбзэр. Адыгэ хабзэри адыгэбзэри зейр адыгэ лъэпкъым и закъуэкъым, атIэ ар дунейпсо щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ. Абы къыхэкIыуи адыгэ хабзэри адыгэбзэри абы ихъумэн хуейщ. Берлин, Токио, нэгъуэщI къалащхьэхэм дэт университетхэм щадж адыгэбзэр. Германием щыпсэу нэмыцэ бзылъхугъэ Хёлиг Моникэ филологие щIэныгъэхэм я доктор зэрыхъуар адыгэбзэращ. Дунейм и дахагъэр, и щэнхабзэр, ди лъэпкъыр тхъумэну дыхуеймэ, уэрэд дахэ къизыш дэтхэнэ бзу цIыкIум дызэрыхуэсакъым хуэдэу, ди адыгэбзэм дыхуэвгъэсакъ! Гугъуехь лей пымылъу ар дэтхэнэ зыми тхузэфIэкIынущ махуэ къэс дрипсалъэмэ, сыт хуэдэ Iуэхури иризэфIэтхыу къэдгъэсэбэпмэ, ди сабийхэм едгъащIэмэ, щIэблэр анэдэлъхубзэкIэ едгъаджэмэ. «Бзэр лъэпкъым и къэрэгъул бжыхьщ», — жиIащ Нало Заур. Бзэр щыщыIэращ лъэпкъри щыщыIэр. Дэтхэнэ лъэпкъми и хабзэхэр зэрызэрихьэр езым и лъэпкъыбзэращ. Адыгэ хабзэми и бзэр адыгэбзэщ. «Сэ сыцIыхущ!» — жызыIэм цIыхугъэ хэлъын, цIыху хабзэкIэ псэун хуейщ. «Сэ сымуслъымэнщ!» — жызыIэм муслъымэн диным и фарзхэр ищIэн, ахэр игъэзащIэу псэун хуейщ. «Сэ сыадыгэщ!» — жызыIэм адыгэбзэр, адыгэ хабзэр ищIэн, адыгэбзэм ирипсэлъэн, адыгэ хабзэм ирипсэун хуейщ», — къызжиIат муслъымэнхэм я нэхъ еджагъэшхуэхэм ящыщщ Цей Джаудэт 1993 гъэм Джоланым (Сирием) сыщыщыхуэзам. КъыжыIапхъэщ, Цей Джаудэт адыгэ лIы губзыгъэ дыдэу зэрыщытыр, муслъымэну дунейм тетхэр зэчэнджэщхэм, пщIэ зыхуащIхэм зэращыщыр, Сократ пэлъытэу нобэ адыгэ лъэпкъым зэрыдиIэр. «Лъэпкъхэр сыткIэ дызэщхьэщыкIрэ?» — жыпIэмэ, ди бзэмрэ ди лъэпкъ хабзэхэмрэщ зэмыщхь дызыщIыр. «Уэ уурысщ, уфранджыщ, уяпонщ, ауэ сэ сыадыгэщ» — щыжытIэкIэ, ди адэжьхэм къытхуагъэна ди бзэрщ, хабзэрщ, щэнхабзэрщ дызэрыадыгэр къэзыгъэлъагъуэр. А зэщхьэщыкIыныгъэр дунейм и дахагъэщ! Лъэпкъ псори псомкIи дызэхуэдэу щытамэ, мащIэт абы дахагъэу хэлъынур. Ауэ щыхъукIэ, ди лъэпкъ нагъыщэхэр дывгъэхъумэ! Мы тхыгъэр яхуэгъэзащ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щыпсэухэм, Москва, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэм (Мэздэгу къалэмрэ районымрэ) щыпсэу адыгэхэм! Мы тхыгъэр яхуэгъэзащ Иордание пащтыхь къэралыгъуэм пщIэшхуэ щызиIэ ди лъэпкъэгъухэм, Сирием щыпсэу ди къуэшхэу адыгагъэ куэд зыдэслъэгъуахэм, Израилым ису дахэу зызыхъума адыгэхэм, Европэмрэ Америкэмрэ щыпсэу адыгэхэу я къару емыблэжу лъэпкъым зыкъыщIэзыгъакъуэхэм, ди лъэпкъэгъу нэхъыбэ дыдэ здэщыIэ Тыркум бжыгъэкIи мылъкукIи зэфIэкIышхуэхэр щызиIэ адыгэхэм! Мы тхыгъэр яхуэгъэзащ Мысырым, Ливием щыхэшыпсыхьыжа адыгэхэу зи бзи зи хабзи зыщыгъупщэжахэм, зэгуэрым адыгэм къыхэкIауэ зэрыщытам нэхъыбэ зымыщIэжхэм! Мы тхыгъэр яхуэгъэзащ щIэныгъэ Iуэху зезымыхуэ къызэрыгуэкI адыгэхэми, ди щэнхабзэр, анэдэлъхубзэр, лъэпкъ хабзэр нэхъ куууэ зыщIэ щIэныгъэрылажьэ лъэщхэми! «Хэкужьыр зыхъумар хэкурысхэращ, ауэ ар зэфIэзгъэувэжынур хэхэсхэращ», — жызоIэ сэ сыт щыгъуи. Хэхэсу щытауэ, гугъуехь псоми ебакъуэу «Хэкужьым и гуфIэгъуэр си гуфIэгъуэщ, и гукъеуэри си гукъеуэщ, и хьэлъэри дэсшэчынущ», — жызыIэу адэжь лъахэм къэзыгъэзэжахэми яхуэгъэзащ си псалъэр! Сыхуейт мы псалъэр ялъэIэсыну пщIэшхуэ зыхуэтщIу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэми, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и Тхьэмадэми, фIыкIэ дызыхуэупсэ зэпыту, Адыгэ Хэкур ягъэщIэрэщIэжынкIэ дызыщыгугъ ди нэхъыщIэхэми, ди нэхъыжьыфIхэу куэдрэ дяпэ итынкIэ дызэхъуэхъухэми! Дэ, адыгэхэр, дызэщхьэщокI ди гупсысэкIэмкIэ, дуней еплъыкIэмкIэ, дызыщыпсэу щIыпIэхэмкIэ, дину зетхьэхэмкIэ, Iуэхуу дызэлэжьхэмкIэ. Ауэ дэ псоми зэхуэдэу тхэлъщ ди лъэпкъымрэ ди хэкумрэ яхудиIэ лъагъуныгъэр, зэгъусэу зетхьэ ди адыгэбзэмрэ адыгэ хабзэмрэ. Зы лъэпкъ дищIу дызэкъуэзыгъэувэ Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэр Адыгэбзэращ. Адыгэ хэкур зыгъэдахэр адыгэ хабзэращ. Адыгэ хэкуращ адыгэ хабзэри адыгэбзэри псэхуиту щызекIуэфынур, къэралыгъуэ хабзэм и гуащIэр абыхэм къыщагъэсэбэпыфынури абдежыращ. КъыдэкIуэтей ди щIэблэм едгъэщIэн хуейщ нарт эпосыр, адыгэ IуэрыIуатэр, ди усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я тхыгъэхэр. Ахэр анэдэлъхубзэкIэ зэрытхам хуэдэ къабзэу, ди лъэпкъым къыдекIуэкI Iущагъым хамэ гупсысэкIэхэр пкърымыхьэу ди сабийхэм ялъэдгъэIэсыпхъэщ. Дыхуейщ КIэрашэ Тембот, ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, Кубэ Шэбан, КIыщокъуэ Алим, МэшбащIэ Исхьэкъ, ХьэдэгъэлI Аскэр, КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, МафIэдз Сэрэбий, Бештокъуэ Хьэбас, Хьэкъун Барэсбий, Къуиикъуэ Налбий, Дыгъужь Къурмэн, Къэрмокъуэхэ Мухьэмэдрэ Хьэмидрэ, Ацкъан Руслан, Нэхущ Мухьэмэд, Бицу Анатолэ, Бемырзэ Мухьэдин, адрей ди тхакIуэ-усакIуэ лъэщхэми я IэдакъэщIэкIхэм ди ныбжьыщIэхэр едгъэджэну. Абы къыдэкIуэу дыщогугъ ди щIэблэм Адыгагъэр къащтэжыну. Дунейпсо эпос жьантIапщэм я тхьэмадэр адыгэбзэм къыдэунэхуа нарт хъыбарыжьхэращи, ХьэдэгъэлI Аскэри, КъардэнгъущI Зырамыкуи ятхыжауэ къыдэкIа «Нартхэр» дгъэпсэун хуейщ, къыткIэлъыкIуэу къыдэкIуэтейхэр абы адыгэбзэкIэ еджэф къудейм къыщымынэу, и куууагъыр къагурыIуэу, гупсысэ къарууэ, философиеу абы къыпкърыкIыр къагурыIуэу едгъэсэн хуейщ. Апхуэдэ зэфIэкI дэ щыдгъуэтынур ди хэкуращ, къыдэзытынури Урысей Федерацэм и хабзэхэращ. «Адыгэбзэм дэнэ нэс уихьын? Къуажэм удэкIмэ бухащ. Ди сабийхэр абы щIеджэн щыIэкъым», — жызыIэхэм я щхьэри я лъэпкъри ягъэпудыж. Эстонхэр зы мелуан иримыкъу пэтми, иролажьэ, ироджэ, иропсэу я анэдэлъхубзэм. Мы дунейми а бзэмкIэщ эстонхэр зэрыхыхьэр. Адыгэбзэм ирипсэлъэфыр мелуанищым дыщIегъу, абы къыхэкIыу ди лъэпкъыбзэр дгъэпсэуным къару нэхъыбэ етхьэлIэфынущ. Сэ фыкъыхузоджэ бзэм хуэлажьэ фондхэр зэхэфшэну, тхыгъэхэмкIэ фи гупсысэхэр къэвгъэлъэгъуэну, адыгэбзэм, адыгэ хабзэм фызэрыхуэныкъуэр къэфIуэтэну. Ноби дэ къытхэтщ адыгэбзэм мыхьэнэ езымытхэр. Апхуэдэхэми я Iуэху еплъыкIэхэм дыщагъэгъуэзэну дыхуейт, сыту жыпIэмэ, абыхэм я гупсысэм лъабжьэ хуэхъури гъэщIэгъуэнщ. Сэ си гуапэщ адыгэбзэм фызэрытепсэлъыхьыр, фи гупсысэхэр къызэрыфIуатэр анэдэлъхубзэрами хамэбзэми. Адыгэбзэм и гугъу фщIыху, абы и гуащIэм хуохъуэ. Ауэ нэхъыфIт адыгэбзэр зэрытхъумэным, ар адэкIи дахэу зэрыдгъэпсэуным и гъуэгур, и хэкIыпIэр апхуэдэ псалъэмакъхэм къыхэдгъуэтамэ. Абы и IуэхукIэ куэд елъытащ адыгэ лъэпкъым къыхэкIауэ нобэ диIэ ди щIыналъэ Iэтащхьэхэм, къэралым къулыкъу лъагэ щызиIэхэм, лъэпкъым и пашэхэм. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж лIыщхьэм и лъэпкъыбзэр ещIэ. Лъэпкъым и пашэхэрщ абы и гъуэгугъэлъагъуэхэр. Абы къыхэкIыу ахэр сыт щыгъуи хущIэкъупхъэш анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным, лъэпкъыр зыгъэдахэ, зыгъэлъапIэ дамыгъэхэр хъумэным. Черкесск къалэм дэ къыщызэдгъэпэщащ Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэ автономие икIи Урысей Федерацэм и хабзэм ипкъ иткIэ, ар къэралыгъуэ реестрым хатхащ. Адыгэ лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и IуэхущIафэхэр зыхуэунэтIар, къалэн нэхъыщхьэу къигъэлъагъуэр мы къыкIэлъыкIуэхэрщ: — я ныбжьыр илъэсищым щегъэжьауэ сабийхэр илъэс къэс къэзыщтэ, адыгэ хабзэм щIапIыкIыу, анэдэлъхубзэкIэ тхэфу икIи еджэфу, апхуэдэу урысыбзэри, инджылызыбзэри ирагъащIэу, лъэпкъ уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ хуагъасэу, цIыкIухэм я школ кIуэгъуэм нэс щаIыгъ сабий гъэсапIэхэр гъэпсын; — а сабийхэм я япэ гупыр курыт еджапIэм щыщIэтIысхьэм ирихьэлIэу ахэр зэрырагъэджэну тхылъхэр адыгэбзэкIэ къыдэгъэкIын; — курыт еджапIэм предмет псори адыгэбзэкIэ зэрыщаджым къыдэкIуэу, урысыбзэри, инджылызыбзэри нэхъ куууэ щрагъэщIэн. — дэтхэнэ адыгэми бзищ ищIэн хуейщ: и лъэпкъыбзэр (адыгэбзэр), и къэралыгъуэбзэр (урысыбзэр), дуней псор зэрызэпсалъэ бзэр (инджылызыбзэр). Сэ си гуапэщ адыгэ лъэпкъым чыристан дини муслъымэн дини зэрызэрихьэр. Ар лъэпкъым и дахагъэм, и тхыдэм щыщщ. Апхуэдэу абы къегъэлъагъуэ нэгъуэщI дин зезыхьэхэм яхуэгъэза шыIэныгъэ ди лъэпкъым зэрыхэлъыр. Iыхьэ лейуэ гуапэщ адыгэ чыристанхэм адыгэбзэкIэ дин Iуэхухэр зэрызэрахьэр. Муслъымэн динри чыристан динри адыгэбзэкIэ курыт школым щаджын хуейщ. Абы бзэри динри егъэкъабзэ, епсыхь, нэхъ быдэ ещI. Диныр адыгэбзэкIэ щызепхьэкIэ, адыгэбзэр ехъумэ, фIэщхъуныгъэри егъэлъэщ. А щIыкIэм тету илъэс пщыкIухкIэ (сабий гъэсапIэм — илъэсиплI, курыт еджапIэм — илъэс пщыкIутI) ирагъэджа щIалэр е пщащэр нэхъ пасэу хуэхьэзыр мэхъу еджапIэ нэхъыщхьэм зэрыщIэтIысхьэным. Апхуэдэ курыт еджапIэм адыгэбзэкIэ щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэта, урысыбзэмрэ инджылызыбзэмрэ куууэ щызыджа ди щIалэгъуалэр США-м, Инджылызым, Испанием, Германием, Урысейм и къалэхэм нэхъыфI дыдэу щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ я университетхэм щIэтIысхьэнымкIэ зэгурыIуэныгъэхэр етщIылIэн хуейщ. Абы къыхэкIыуи, дэ зи гугъу тщIы еджапIэр къэзыухым шэсыпIэ иIэнущ и щIэныгъэм еджапIэ нэхъыщхьэм щыпищэну. Дауэ мыхъуми, адыгэбзэ къабзэр зыIурылъ, адыгэ хабзэм щIапIыкIа нэрыбгэ щэ бжыгъэ илъэс къэс университетхэм щIэдгъэтIысхьэфу дгъэпсын хуейщ, абыхэм еджапIэ нэхъыщхьэхэр къауха нэужь Хэкум къыхуэщхьэпэн хуэдэу. Апхуэдэ Iуэху къэбублэнуи зебгъэкIуэнуи гугъукъым, зэгъусэу дыхущIэкъумэ, дыхуэлажьэмэ. Зи гугъу тщIы сабий гъэсапIэм и къанхэр лъэпкъкIэ зэхэдзауэ щымытми хъунущ, ахэр урысми, абазэми, балъкъэрми, нэгъуейми ягъэ кIынукъым, я бынхэр адыгэбзэкIэ зэрырагъэджэнумкIэ адэ-анэр арэзымэ. Лъэпкъ щхьэхуэ хэубыдыкIа мыхъуу, адыгэбзэмрэ хабзэмрэ зыгъэпсэун цIыху дызэрыхуейращ абы и лъабжьэр. Абы къыдэкIуэу делэжьын хуейщ Адыгэ курыт еджапIэ, АдыгэбзэмкIэ институт, Адыгэ университет зэрыдгъэпсыным, абыхэм щезыгъэджэнухэр гъэхьэзырыным. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, ныбжьыщIэхэм зэрадэлэжьэнур Урысей Федерацэм гъэунэхуауэ иIэ егъэджэныгъэ программэращ. Ауэ сабийхэр зэреджэну тхылъхэр гъэхьэзырын, адыгэбзэкIэ зэдзэкIын хуейщ: есэпри, химиери, физикэри, ботаникэри, нэгъуэщIхэри. «АдыгэбзэкIэ зэдзэкIын хуейщ», — щыжысIэкIэ абы гугъуехьышхуэ пылъкъым, щIэныгъэ къэс езым и бзэ иIэжщи. Псалъэм папщIэ, есэпыр зэрытхари зэраджри урысыбзэкъым икIи инджылызыбзэкъым, атIэ есэпыбзэщ. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи есэпым и нагъыщэхэр зыщ, я мыхьэнэкIи я сурэткIи. Радикалыр (v) адыгэбзэкIи, урысыбзэкIи, инджылызыбзэкIи а зы дамыгъэращ къызэрагъэлъагъуэр. Химиер къэтщтэнщи, сыт хуэдэбзэкIи псыр Н2О-щ. Апхуэдэщ адрей щIэныгъэхэри. Гугъукъым ахэр зэбдзэкIыну, уелIэлIэн, зэман хухэхын хуейуэ аращ. ЩыIэщ бзэщIэныгъэ университетхэр, къэралым къызэIуимыхауэ, цIыху щхьэхуэхэм къызэрагъэпэщауэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Сэкий (КIарэ) Риммэ Бзэхэр щаджу Армавир дэт бзэ, социальнэ институтыр зэрызэфIигъэувар. Мис ар икъукIэ щапхъэфIщ. Я анэдэлъхубзэр зэзыгъэпэщыжа, къэзыIэтыжыфа лъэпкъхэм я щапхъэхэр щыIэщ. Псалъэм папщIэ, журтхэм зэфIагъэувэжащ илъэс минкIэ зэрымыпсалъа я бзэр. Тыркубзэм нэхъ зэхэтхъуа гъуэтыгъуейт, ауэ ар ягъэкъэбзэжри, екIу ящIащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, тыркубзэм апхуэдэу елэжьахэм ди лъэпкъэгъу куэди яхэтащ. Абыхэм ящыщщ тхакIуэ, дунейпсо литературэм и классик Омер Сейфеттин (Хьэткъуэ). «ДиIэкъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну! Тхъумэн-дгъэпсэун жыхуэтIэм къикIыр зыщ — нэхъыбэу дрипсэлъэн, дрилэжьэн, дунейм дритетын, дреджэн, езыри едгъэфIэкIуэн!» — жиIащ еджагъэшхуэ Хьэкъун Барэсбий ди бзэм хуэгъэзауэ. «Адыгэбзэм къэкIуэн иIэкъым», — жызыIэм дыкъегъапцIэ, абы сыт хуэдиз щIыхьыцIэ имыIэми. Псори зэлъытар бзэр зей лъэпкъращ. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдэхэнущ, игъэкъэбзэнущ. «Iуэху мыублэ блэ хэсщ», — жеIэ адыгэм. Iуэхур щIэбдзэмэ кIуэтэнущ. Дызэкъуэвгъэуви, кIыхь хуэдвгъэщI адыгэбзэм и гъащIэр, ди дадэжь-нанэжьхэм къащIэнар щIэблэм яхуэдвгъэхъумэ. Ди лъэпкъыр къызэтенэну, ди адыгэ хабзэр псэуну дыхуейуэ щытмэ, зы гъуэгу закъуэщ щыIэр — ди щIэблэм адыгэбзэкIэ щIэныгъэ едгъэгъуэту Iуэхур зэтеублэнырщ. НэгъуэщI хэкIыпIэ щыIэкъым. Къэралыгъуэ хабзэкIэ абы дыхуэкIуэн хуейщ. «АдыгитI зэзэгъыжкъым», — жызыIар адыгэ лъэпкъым и бийщ. Зэхуэзахэр адыгэу щытмэ, я лъэпкъ хабзэкIэ къызэдекIуэкIмэ дауэ зэмызэгъынрэ?! УсакIуэ Бемырзэ Мухьэдин «Уадыгэным къикIыр» и усэм щыжеIэ: Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ. АдэкIи щIоупщIэ: Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу, Къэвгъуэтыт тхыдэм зэ щищIыж ди гугъу, Ди гъащIэ тхьауэ дэ къэзэуатыншэу! Сыт щыгъуи зытхъумэжурэ дафIэпсэуащ, мы дунеишхуэм апхуэдизу цIэрыIуэ щыхъуа Адыгагъэр зей лъэпкъым ар тхъэжурэ къигъэщIакъым, и Бзэри ди нобэм тыншу къихьэсыфакъым. Сэ сызэреплъымкIэ, апхуэдэ фIыгъуэр зэгъэпэщынымкIи хъумэнымкIи фIыщIэр зыбгъэдэлъыр адыгэ бзылъхугъэрщ. Иджыри аращ ди бзэ, хабзэ дахэхэр тхуэзыхъумэфынури, лъэпкъым ар хэзылъхьэфынури, къыдезыгъэкIуэкIыфынури. «Бзэм сыхуэлэжьэнущ, си гуащIэ гуэр абы хэслъхьэнущ», — жызыIэ дэтхэнэми мы зэманми зыри къыпэрыуэркъым. МылъкукIэ дэIэпыкъуэгъу хъунухэм фондхэр къызэрагъэпэщатэмэ, фIы дыдэт. Сом бжыгъэу хэфлъхьэмкIэ щхьэпэ фызэрыхъум и мызакъуэу, мыхьэнэшхуэ иIэщ апхуэдэ гупыж зэрыфщIами. Нэхъыщхьэращи, адыгэбзэм хуэгумэщIым и бжыгъэр нэрылъагъу хъунущ. Тхьэм иригъэфIакIуэ адыгэбзэр! Гъуэгу техьэ тенэкъым. Тхьэм гъуэгу Махуэ тришэ ди адыгэбзэр! УЭХЪУТЭ Александр, Урысей Федерацэм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25894.txt" }
Лъэпкъым папщIэ Иджырей адыгэхэм лъэпкъпсо махуэшхуэ тхуэхъуам и къежьапIэр жыжьэ щыIэщ. Ар епхащ Бырсей Умар, 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-м «Адыгэ псалъалъэ» тхылъыр къыдэзыгъэкIам, и цIэм. Бырсей Умар Адыгэ еджагъэшхуэ, узэщIакIуэ Бырсей Умар 1807 гьэм къалъхуащ. И ныбжьыр илъэси 8 фIэкIа мыхъуауэ ар тырку сулътIанхэм ящыщ гуэрым идыгъури, Мысырым (Египетым) и пэщэ Мухьэмэд Алий ирищауэ щытащ. ХамэщI щыпсэу адыгэ щIалэ цIыкIур щIэныгъэ зригъэгъуэтыным зэрыщIэхъуэпсым гу лъамытэу къэнакъым икIи Умар егъэджакIуэ лъэрызехьэхэр къыхуащтащ. Илъэс 18-м щынэсам Бырсейм игъэшэрыуэрт франджыбзэр, тэтэрыбзэр, тыркубзэр, къэжэрыбзэр, хьэрыпыбзэр. 1825 гъэм Бырсейр и щIэныгъэм хигъэхъуэну, Франджым и къалащхьэ Париж ягъэкIуащ. Абы дэт политехникэ институтым илъэсищкIэ щеджа нэужь, Умар щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ. 1843 гъэм и пэщIэдзэм ар Урысеидзэм хыхьащ икIи Кавказым къулыкъу щищIащ, тэрмэш къалэныр игъэзащIэу. ИужькIэ Бырсейр Ставрополь дэт еджапIэхэм ящыщ зым адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыщхьэу ирагъэблэгъащ. И къалэнхэм къадэкIуэу, Умар иригъэкIуэкIащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэ. Абыхэм ящыщщ зи гугъу тщIы «Адыгэбзэ псалъалъэр». ЩIэныгьэхэмкIэ Урысей Академием и IэщIагъэлIхэм зэрыжаIамкIэ, а тхылъым мыхьэнэшхуэ иIэщ — апхуэдиз макъ зэщIэжьыуэр хьэрфкIэ къэбгъэлъэгъуэныр лэжьыгъэ къызэрыгуэкIкъым. Апхуэдэу адыгэбзэм и зыужьыныгъэм хуэунэтIауэ щытащ еджагъэшхуэм зэман кIыхькIэ иригъэкIуэкIа нэгъуэщI къэхутэныгъэхэр. Бырсейм и лэжьыгъэм пащэ нобэрей ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25897.txt" }
Гъуэгу къежьапIэ Сабий гъэсапIэхэм мы лъэхъэнэм ущылэжьэныр курыт школхэм Iуэху щызепхьэным къыкIэрымыхуу гугъуехьрэ жэуаплыныгъэшхуэрэ зыпылъ къалэнщ. Ар сабийм и хьэл-щэныр, зэхэщIыкIыр щызэтеувэ, игъуэтыпхъэ зэфIэкIым, щIэныгъэм я лъабжьэр щагъэтIылъ зэманщ. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм къыхыхьэ мардэщIэхэм ятепщIыхьмэ, школым и пэ къихуэ а илъэсхэм сабийм игъуэт зыужьыныгъэрщ ар гъащIэм зэрыхыхьэфынури абы щызригъэгъуэтыну увыпIэри куэдкIэ зэлъытари. (СэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ) Нэгумэ Маритэ, Къалэ Iэминат, Гуэнгъэпщ Марие сымэ лэжьыгъэр яубзыху. — Пэжу, иджырей гъащIэм декIун щIэблэ къэбгъэтэджыну Iуэху тыншкъым. Сабий ппIыныр, бгъэсэныр, щIэныгъэ ебгъэгъуэтыныр сыт хуэдэ зэмани тыншакъым, ауэ щыхъукIи, мы лъэхъэнэм а Iуэхугъуэхэм яIэ мыхьэнэр куэдкIэ нэхъ ин хъуащ, сыту жыпIэмэ дуней псом щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм, ди гъащIэм къыхыхьэ технологиещIэхэм хуэIэрыхуэ, гупсысэщIэрэ жэрдэмыщIэрэ зи куэд, хэкIыпIэхэр къэзыгъуэтыф цIыхурщ гупым хэзагъэу, и Iуэху дэкIыу псэуфынур. А псом ящхьэщ лъэпкъ зэхэщIыкI зиIэ, зи анэдэлъхубзэр зыIурылъ, ар фIыуэ зылъагъу хэкупсэ жылагъуэм хэгъэхьэныр, — жеIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм и щэху куэдым фIыуэ щыгъуазэ, абы илъэс 35-м нэсауэ хэт Къалэ Iэминат. Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Сэрмакъ (Бабыгуей) жылэм дэт сабий садыр епхащ абы щыIэ курыт школ №1-м. Къапэщылъ апхуэдэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ къалэнышхуэхэм ятещIыхьауэ IуэхущIапIэм дэлъ лэжьыгъэр къызыхуэтыншэу къызэрегъэпэщ школ унафэщIым и къуэдзэ Лыджыдэ Iэсият. Сабий IуэхущIапIэм IэплIэтесу къахьа, хьэрф гуэр ицIыхун дэнэ къэна, псэлъэкIэ къудейм иджыри хуэмышэрыуэ цIыкIухэр тхылъ къеджэфу, адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ тхэфу, уеблэмэ инджылызыбзэкIэ бжэфу бгъэсауэ школым бгъэкIуэныр Iуэху къызэрыгуэкIкъым. Апхуэдэ лэжьыгъэр хьэлэлу зыгъэзащIэ гъэсакIуэхэщ зи цIэ къитIуа садым и IэщIагъэлIхэр. Абыхэм ящыщщ «УФ-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр зезыхьэхэу Къалэ Iэминатрэ Гуэнгъэпщ Маритэрэ, лIэщIыгъуэ плIанэ лъандэрэ сабий гъэсэн IэнатIэм пэрытхэу, зи лэжьыгъэфIым папщIэ мызэ-мытIэу ягъэлъэпIахэу Лыджыдэ Маринэ, Нэгумэ Маритэ, Куфэн ДэIимэт, Мысырджэн Феня сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ирагъэкIуэкI дерсхэм ущIэмысауэ, я Iуэху зехьэкIэм укIэлъымыплъауэ, уи нэгу къыпхущIэгъэхьэркъым лэжьыгъэу зэфIахыр зыхуэдизыр. ЦIыкIухэм я бзэм зрагъэужь, адыгэ хабзэм теухуа дерсхэр драгъэкIуэкI, дыкъэзыухъуреихь дунейм и зэхэлъыкIэм, къэхъукъащIэхэм щагъэгъуазэ, лъэпкъ дамыгъэхэмрэ нэщэнэхэмрэ къызыхэщ сурэтхэр ирагъэщI, уэрэдхэр ирагъащIэ. Апхуэдэу гъэсакIуэхэмрэ абыхэм я нэIэ щIэт цIыкIухэмрэ щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщ махуэшхуэ зэIущIэхэр, зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ, зэхуэзэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Куэд щIакъым садым и гъэсэнхэм зэрахьэщIэрэ усакIуэ ХьэIупщы Лолэ. Мы зэманым абыхэм ягъэхьэзыр «Бажэ пшынэ» зыфIаща зэIущIэ хьэлэмэтыр. Сабийхэм къаIурылъэлу усэхэр адыгэбзэкIэ жаIэу, таурыхъ цIыкIухэр зэхуаIуэтэжу, адыгэ къафэмрэ лъэпкъ джэгукIэхэмрэ дахьэхыу щыплъагъукIэ, быдэу уи фIэщ мэхъу: жылэм къыдохъуэ зи нэхъыжьыфIхэм яхуэфащэ щIэблэ узыншэ. Абы зи акъылрэ гуащIэрэ езыхьэлIэхэм фIыщIэ ин яхудощI. ХЬЭМТУ МуIэед. Сэрмакъ къуажэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25900.txt" }
Куэд зыхыбощIэ А бзэм (адыгэбзэм) и макъэхэр апхуэдизкIэ телъыджэщ, зэмыфэгъущи, жьыбгъэр зэрыфийр, пщIащэр зэрыщхъыщхъыр, псы уэрым и даущыр, щIыр зэрыбауэр, псым хэлъ мывэджейхэр зэрызэнтIэIур, гур къызэреуэр, бзур зэрыбзэрабзэр зыхыбощIэ, абы ирипсалъэу щызэхэпхкIэ. Ар щыхьэт зытехъуэр зыщ: адыгэбзэр хуэщIащ дунейм и къэхъугъэ псори кърипIуэтэным. Трубецкой Николай, урыс щIэныгъэлI. 1827 гъэ Зы псалъэкIэ Кавказым, Къэбэрдейм джэгуакIуэ екIуэлIапIэншэхэм уащрихьэлIэу зэрыщытрэ куэд щIакъым. Мис абыхэм ящыщ зым и псалъэм и къарур здынэсыр къызэригъэлъэгъуар: «Сэ зы псалъэкIэ къэрабгъэр хахуэ, хэкум и хъумакIуэ сощIыж, дыгъум и хьэлыр зыхызогъанэ; си пащхьэ къиувэфынкъым цIыху бзаджэр, сэ цIыхугъэншагъэм, икIагъэм срабийщ». Горький Максим. 1933 гъэ Макъ пIытIахэри жьгъыжьгъхэри Адыгэбзэр адрейхэм куэдкIэ къащхьэщокI. Абы иропсалъэ Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ щыпсэухэмрэ Лабэ Iуфэ Iус беслъэней лIакъуэмрэ. Псыжь адрыщIкIэ щегъэжьауэ хы Iуфэм нэс щыпсэу адрей адыгэ лIакъуэхэм я псэлъэкIэр абы мащIэу къыщхьэщокI. А бзэмрэ абы и диалект зыбжанэмрэ хэтщ макъ пIытIахэр, жьгъыжьгъхэр, бзэгупэмрэ бзэгу лъэдакъэмрэ къыщыхъу макъхэр. Абыхэм бзэр нэхъ къулей, дахэ ящI, ауэ хамэ лъэпкъ щыщхэм дежкIэ къэпсэлъыгъуейщ. Сэ къэхутэныгъэ пыухыкIа гуэри схуэщIакъым а бзэ телъыджэм ехьэлIауэ, ауэ сощIэ абыхэм къызэрыгуэкI, псоми зэдащIэ псэлъэкIэм нэмыщIи «щакIуэбзэ» (щIагъыбзэ) зэраIэр. Клапрот Генрих, урыс академик. 1807 гъэ Дакъикъэ IэфI Си лэжьыгъэр щыщIэздзэм, хьэкъыу спхыкIауэ си фIэщ хъурт бгырыс Iэлыр гурыщIэ телъыджэм — гъащIэм и нэхугъэ IэфIым — щIэныгъэм къызэрыщIэтэджэнур; щIэныгъэмрэ тхыбзэмрэ ди гур къыщауIэн зэман дэр папщIи къэсынщ. Сэ сымылъагъункIи хъунщ а дакъикъэ IэфIыр — си лъахэм щIэныгъэншагъэр IэщIыб щищIыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщIэнт сэ абы щыгъуэ!.. СлъэкIым хуэдиз сщIащ сэ, фIыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ Къэхъугъэр зи Iэмырымрэ солъэIу анэдэлъхубзэм хузиIа лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щIэблэ си ужь къихъуэнкIэ. Нэгумэ Шорэ. 1836 гъэ Адрейхэм къащхьэщокI Адыгэбзэр адрейхэм куэдкIэ къащхьэщокI. Абы иропсалъэ Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ щыпсэухэмрэ Лабэ Iуфэ Iус беслъэней лIакъуэмрэ. Псыжь адрыщIкIэ щегъэжьауэ хы Iуфэм нэс щыпсэу адрей адыгэ лIакъуэхэм я псэлъэкIэр абы мащIэу къыщхьэщокI. А бзэмрэ абы и диалект зыбжанэмрэ хэтщ макъ пIытIахэр, жьгъыжьгъхэр, бзэгупэмрэ бзэгу лъэдакъэмрэ къыщыхъу макъхэр. Абыхэм бзэр нэхъ къулей, дахэ ящI, ауэ хамэ лъэпкъ щыщхэм дежкIэ къэпсэлъыгъуейщ. Сэ къэхутэныгъэ пыухыкIа гуэри схуэщIакъым а бзэ телъыджэм ехьэлIауэ, ауэ сощIэ абыхэм къызэрыгуэкI, псоми зэдащIэ псэлъэкIэм нэмыщIи «щакIуэбзэ» (щIагъыбзэ) зэраIэр. Клапрот Генрих, урыс академик. 1807 гъэ Дэтхэнэ макъми Пасэрей кавказ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ адыгэхэр. Абыхэм я бзэр адрей кавказыбзэхэм псалъэкIи ухуэкIэкIи къащхьэщокI, я макъхэр апхуэдизкIэ къэпсэлъыгъуейщи, сэ сызыщыгъуазэ алфавитхэм псори къыпхуигъэтIэсэнукъым. Дэтхэнэ макъми къэпсэлъыкIэ зыбжанэ иIэщ, зы европеи бгъуэтынукъым ахэр къыхуэпсэлъыну. Бларамберг Иоганн, нэмыцэ генерал. 1834 гъэ Акъыл жан Адыгэхэр зэрыгурыхуэ защIэмрэ акъыл жан зэраIэмрэ тепщIыхьмэ, ахэр щIэх дыдэ ящIыхьэнут куэд щIауэ щIэныгъэ зиIэ лъэпкъхэм; абы щхьэкIэ псом япэ зыхуэныкъуэр тхыбзэщ, я нэр къыщызыпхъуэ хабзэ мыхъумыщIэхэри зыханэн хуейщ. Броневский Семен, урыс щIэныгъэлI. 1828 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25904.txt" }
Ар езмыгъэджмэ, сымыпсэуфыну къысщохъу! Иджырей зэманым зэхъуэкIыныгъэщIэ хьэлэмэтхэр щекIуэкI ди къэралыр творческэ цIыху хуэныкъуэщ. Нэхъапэм зэрырагъаджэу щыта Iэмалхэр къекIужыркъым иджырей мардэщIэхэм. Шэч хэмылъу, гъащIэм декIуу, зэфIэкI яIэу къэгъэтэджын хуейщ щIэблэр. Ахэращ дызыхуриджэр «Наша новая школа» лъэпкъ программэщIэм. ЕджапIэхэм я къалэн нэхъыщхьэщ егъэджэныгъэр нэхъ гъэщIэгъуэну, удэзыхьэхыу гъэпсыныр, щIэблэм я творческэ зэфIэкIым зегъэужьыныр икIи абыхэм ягъуэта щIэныгъэр гъащIэм къыщагъэсэбэпыжыфу егъэсэныр. Ахэр нэгъэсауэ гъэзэщIа щыхъунур еджэныгъэм дегугъумэщ, IэмалыщIэхэр абы къыщыдгъэсэбэпмэщ. Сэ сыщылажьэ школым илъэс бжыгъэ хъуауэ IэмалыщIэ гъэщIэгъуэн куэд къегъэсэбэп еджэныгъэми гъэсэныгъэми ехьэлIауэ икIи ехъулIэныгъэфIхэри диIэщ. ЕгъэджакIуэ куэдым я дерсхэр ирагъэкIуэкI щIэм тету, компьютерхэр къагъэсэбэпурэ. Апхуэдэхэщ урысыбзэмкIэ, инджылызыбзэмкIэ, химиемкIэ, есэпымкIэ, физикэмкIэ ирагъэкIуэкI урокхэр, пэщIэдзэ классхэми зэрыщрагъаджэр лэжьэкIэщIэр и лъабжьэущ. НэгъуэщI предмет псоми хуэдэу, IэмалыщIэхэр адыгэбзэ дерсхэми, классщIыб лэжьыгъэхэми къыщыгъэсэбэпыпхъэщ. ЕджакIуэхэм щIэныгъэ ягъэгъуэтыным щIыгъуу, ахэр адыгэ хабзэхэми щIыдопIыкI, нэхъыжьхэм я щапхъэ дахэхэр ди тегъэщIапIэу. АдыгэбзэмкIэ методисту илъэситху хъуауэ солажьэ. А зэманым къриубыдэу сэ селэжьащ «Внедрение проектно-исследовательской технологии в учебно-воспитательном процессе» темэм. Си дерсхэм къыщызгъэсэбэп Iэмал нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэхэм ящыщщ проектнэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэр. Мыбы и лъабжьэ нэхъыщхьэр егъэджакIуэм къарит дерс закъуэмкIэ зэфIэмыкIыу, езы ныбжьыщIэхэми щIэныгъэ зрагъэгъуэтыфу егъэсэнырщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, щIэныгъэ хьэзыр я пащхьэм иплъхьэр гъэмэщIауэ, езыр-езыру къахутэфу гъэсэн. «Себгъэсэну уэ ухуеймэ зыгуэрым, Хуэм-хуэмурэ сыгъакIуэ… Зэ, зэпызгъэплъыхь… СегъэIэб, си IэкIэ сыгъэубыд, СегъэдэIу, и мэм сегъэпэм, Хъунуми, и IэфIагъым зэ сегъэплъ… Уа, сыту куэдыщэ къэзгъуэтыфыну сэр-сэру!» Апхуэдэ гупсысэ зиIэ сабийм и гурыщIэхэм пэджэжу лэжьэн хуейщ егъэджакIуэр. «Проект» псалъэр дэркIэ щIэкъым. ЩIэр а Iэмалым и бгъэдыхьэкIэр, и къэгъэсэбэпыкIэращ. ЕджакIуэхэм я гупсысэкIэмрэ я псэлъэкIэмрэ зэпымычу егъэфIэкIуэныр, я акъылым зегъэужьыныр, гуп-гупу зэдэлэжьэфу гъэсэныр — мыхэращ мы Iэмалым и мурад нэхъыщхьэхэр. Дигу къызэреуэнщи, иджырей зэманым тхылъ еджэу бгъуэтынур мащIэ дыдэщ. Абы къыхэкIкIэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэр хуабжьу сэбэпщ щIэблэр тхылъ еджэным дегъэхьэхынымкIэ. ЕджакIуэм и унэ дерсхэр нэгъэсауэ игъэзэщIэн папщIэ, ар библиотекэм щылэжьэн хуей мэхъу. Проектнэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэр къыщызогъэсэбэп етхуанэ классым. Псом хуэмыдэу ар къыщытхуощхьэпэ анэдэлъхубзэ дерсхэм. ЯфIэгъэщIэгъуэн дыдэу сабийхэр къыхохьэ абы. Псалъэм папщIэ, адыгэ IуэрыIуатэр джын яуха нэужь, нэхъ ягу ирихьа нарт лIыхъужьым теухуауэ щхьэж езым и проект цIыкIу игъэхьэзырыну унэ лэжьыгъэу пщэрылъ яхузощI. Е классыр гупу согуэшри, гуп къэс лэжьыгъэ къалъос: «Адыгэ псалъэжьхэр», «ПсынщIэрыпсалъэхэр — бзэм зезыгъэужьщ», «Ди дадэ и къуажэхьхэр». Я лэжьыгъэхэр альбому, папкэу, стенду зэхуэхьэсауэ кърахьэлIэж икIи ахэр зэрагъэхьэзыра щIыкIэм утыкум щытхутопсэлъыхьыж. Дэтхэнэ лэжьыгъэми зэкIэлъыкIуэкIэ тэрэз яIэжу, псори гъэщIэгъуэну щытщ, ауэ еджакIуэхэм нэхъ яфIэгъэщIэгъуэныр иужьрей дыдэрщ — лэжьыгъэр езыхэм зэрагъэзэщIар, абы зыхуигъэIущахэр наIуэ щащIырщ, иджы щIэуэ къежьауэ «презентацэ» жыхуэтIэращ. Лэжьыгъэхэр къащехъулIахэм щогуфIыкI, дагъуэ яIэмэ, абыхэми гу лърагъэтэж жюрим хэтхэм. Си еджакIуэхэр изогъасэ мурад ягъэувыфу, ар зэрызрагъэхъулIэфынур наIуэ къащIыфрэ нэхъыщхьэр къыхагъэбелджылыкIыфу, зытепсэлъыхьхэр зэрагъэпщэфрэ я лэжьыгъэр ягъэлъэгъуэжыфу, гупым и пашэу е гъэзэщIакIуэу щытыфу, зыхэтхэм зыдрагъэкIуфу, екIуу псэлъэфу. Си дерсхэр нэхъ купщIафIэ хъун папщIэ, Iэмал имыIэу ахэр изопх нэгъуэщI предметхэм. Къапщтэмэ, урысыбзэмрэ тхыдэмрэ. Ахэр узыфIэмыкIыжыну дэIэпыкъуэгъущ дерсыр нэхъ гурыIуэгъуэ, гъэщIэгъуэн хъун папщIэ. Класс нэхъыжьхэм «КъШР-м и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ» предметыр илъэс бжыгъэ хъуауэ язогъэдж адыгэбзэм хуэдэ къабзэу, си псэм фIэфI дыдэу. Адыгэ лъэпкъым теухуауэ зэхуэсхьэса материалхэр къысхуощхьэпэ адыгэбзэ дерсхэм деж. Си еджакIуэхэр хэтащ къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэм я конференцэу районым щекIуэкIам. Республикэм щекIуэкIа «Шаг в будущее» зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщытхьащ «Адыгэ шхыныгъуэхэр узыншагъэмкIэ зэрыщхьэпэр» лэжьыгъэмкIэ. 2011 гъэм адыгэбзэкIэ езыгъаджэхэм я «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI» район зэпеуэм етIуанэ увыпIэ къыщытлъэщащ. Адыгэбзэ дерсхэм къыщызогъэсэбэп сэр-сэру зэхэзгъэувэ схемэхэр, таблицэхэр. Мыхэр сэбэпщ нэхъыфIу темэр ягу ираубыдэнымкIэ. Иджырей зэманым ди псэлъитIым яз хъуа Интернетри си Iэпэгъуу солажьэ. Ар хуабжьу сэбэпщ егъэджакIуэм и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ. Жагъуэ зэрыхъущи, нэгъуэщI егъэджакIуэхэм нэхърэ нэхъ гугъу дохь адыгэбзэр щIэблэм езыгъащIэхэр, сыту жыпIэмэ дэ къэдгъэсэбэпыну методикэу мащIэ дыдэщ къыдэкIыр. Абы къыхэкIкIэ сэри Интернетым сайт къызэзгъэпэщащ адыгэбзэр езыгъэджхэм папщIэ: proshkolu.ru — Клуб учителей черкесского языка и литературы. Мы сайтым хэт и IэрыкIри ирилъхьэфынущ е къигъэсэбэпыфынущ. «Адыгэбзэр гугъущ, а предметыр щхьэ къыхэпха?» — къыщызжаIэкIэ: «Си псэм фIэфI дыдэщ, ар езмыгъэджмэ, сымыпсэуфыну къысщохъу!» — яжызоIэ. А предметыр апхуэдизу фIыуэ щIэслъагъур зи фIыщIэр еджапIэм адыгэбзэкIэ сезыгъэджахэу Мамбэт Розэ Iэубэчыр и пхъумрэ Псэун Марие Малыч и пхъумрэщ, егъэджакIуэ IэщIагъэм сыхуэзыгъэса, а предметыр фIыуэ сэзыгъэлъэгъуа, педколледжым адыгэбзэр щезыгъэдж Ажий Сарэщ. Абыхэм фIыщIэ гуапэ яхуэсщIыну сыхуейщ. МЫЖЕЙ Маргаритэ. Инжыджышхуэ курыт еджапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25906.txt" }
Ухуей къудеймэ Адыгэбзэр хъумэным, абы зегъэужьыным мыхьэнэуэ иIэр фIыуэ зыщIэр ди егъэджакIуэ пэрытхэращ. Абыхэм къыбжаIэфынущ бзэр нобэ сыт хуэныкъуэми, Iэмал зыхущыщIэри. Апхуэдэщ нобэ псэлъэгъу тщIа, Къэрэшей-Шэрджэс университетым и адыгэ-абазэ кафедрэм и профессор, тхакIуэ, егъэджакIуэфI БакIуу Марие. БакIуу Марие — Марие, ди анэдэлъхубзэр зэрыхуа щытыкIэм нобэ куэд тогузэвыхь. Абы теухуа уи Iуэху еплъыкIэм щыгъуазэ дыхуэпщIамэ ди гуапэт. — Адыгэбзэр ди адыгэ лъэпкъым и гупсэщ. Бзэр лъэпкъыр зэгурызыгъаIуэ, зэзышалIэ, и тхыдэр, и щэнхабзэр зыхъумэ Iэщэ нэхъыщхьэщ. Ар къызыгурымыIуэн щыIэуи къыщIэкIынкъым. Хэти ещIэ ди лъэпкъым гурэ псэкIэ бгъэдэт, и гукъеуэхэр зыхищIэу, абы хуэлажьэу адыгэлI, бзылъхугъэ нэсхэри къызэрытхэтыр. Ахэр щхьэж хузэфIэкIыр бзэм хуищIэну и ужь итщ, армыхъумэ псори зы мурад хэхам телэжьыхьу щыткъым. Лъэпкъ унафэр дэтхэнэми и пщэрылъщ, тхузэфIэмыкIыну къытщыхъури зэфIэтхыпхъэщ, ди лъэпкъыр тхъумэну дыхуеймэ. ЮНЕСКО-м ди лъэпкъри, Кавказым щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэри, кIуэдыжхэм, нэгъуэщIхэм яхэшыпсыхьыжхэм дыхагъэхьащ. Абы къикIыр лъэпкъхэм фIыуэ яхэлъ псори яфIэкIуэду аращ. Абы упэщIэтын папщIэ сабийм щIэныгъэ псоми нэIуасэ зыхуищIыныр и анэдэлъхубзэмкIэ къыщIидзэн хуейуэ къелъытэ. ЮНЕСКО-м и хьэрэчэткIэ къыдагъэкI учебникыщIэхэм я мурадыр аращ: анэдэлъхубзэри урысыбзэри зэхуэдэу куууэ джын хуейуэ. Сыт хуэдэ предмет ямыджми, уеблэмэ урысыбзэри щаджкIэ, лъэпкъ хабзэхэр кIуэцIрыкIыу, абы нэIуасэ хуищIу щытын хуейщ. — АтIэ, нобэрей ди егъэджэныгъэ IэнатIэр, адыгэ унагъуэхэр, сабийхэр зыхуэныкъуэу къэплъытэр сыт? — Адыгэбзэр джыныр егъэфIэкIуэн папщIэ, мыхэр лэжьын хуейщ: 1. Адыгэбзэр джыныр егъэфIэкIуэным хуэмылэжьэфын зы адыги щыIэкъым. Япэрауэ, адэ-анэм я быным ирагъэщIэн хуейщ сабийм къыдалъхуа и анэдэлъхубзэр, абы и IэфIагъыр, и къарур зыхрагъащIэу. Адэ-анэм я сабийм хуагъафIэ я гурыщIэ IэфIхэр анэдэлъхубзэншэу зыхегъэбгъэщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, адыгэбзэр джыныр егъэфIэкIуэныр къыщыщIэдзэн хуейр унагъуэращ, сабий IыгъыпIэхэращ. ЦIыху зэхуэсыпIэхэм анэхэм я нэхъыбэр я бынхэм зэрыщепсалъэр урысыбзэкIэщ. АбыкIэ сабийм жриIэр зэхищIыкIыркъыми, анэри къегъэукIытэ. Мыпхуэдэ сэ сыщыхуэзащ Черкесск автобус къэувыIэпIэм. Мазаем и кIэ махуэхэт. Зи щхьэфэр тещтыкIа псы инахэм хъыджэбз тыкъыр цIыкIур теувэурэ, егъэщащэ, дихьэхыпауэ. Сабийм псы къыдриутхеймкIэ зэрызиуцIэпIыжым тоукIытыхьри, анэм урысыбзэкIэ жеIэ: «Не наступай в лужу». Мызэ-мытIэу жриIащ, арщхьэкIэ хъыджэбз цIыкIум зыри зэхихыркъым. ИтIанэ ин дыдэу щIэгуоуащ: «Кому я сказала, не наступай в лужу!». Хъыджэбз цIыкIур и анэм къыбгъэдэлъадэри къеупщIащ: «Сыт, мамэ, жыпIар?» Щытахэр псори, зэщIэдыхьэшхащ. И сабийм бгъэдыхьэу: «СыбогъэукIытэ, апхуэдэу умыщIэ», — щэху цIыкIуу жриIамэ зэфIэкIат. 2. ФыщIэдэIут телефонкIэ зэрызэпсалъэхэм. Я анэ къэзылъхуам урысыбзэкIэ йопсалъэ. — «Мама, привет. Хорошо, хорошо. Пока. Я заеду». Адыгэхэм нэхърэ нэхъ фIэхъус нэхъыбэ зиIэ дунейм, японхэр мыхъумэ, теткъым. Ахэр елъытащ цIыхум и ныбжьым, и IэщIагъэм, щыжепIэ щIыпIэми зэманми. А фIэхъусхэр псом япэщ. Аращ къэзыгъэлъагъуэр уи гъэсэныгъэр, уи адыгагъэр зыхуэдэр. Ахэр зэгъэщIэныр унагъуэм къыщыщIидзэн хуейщ. Адэ-анэм, анэшхуэ-адэшхуэхэм я щапхъэм тету, фIыр, дахэр зыхищIэу къэтэджын хуейщ. Сабийм япэу щапхъэ хуэхъур и нэхъыжьхэрщ. Адэ-анэхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым мыр: сабийм и анэдэлъхубзэмкIэ илъэситI-щым къриубыдэу къи-щIэр илъэс тIощIым нэскIэ нэгъуэщIыбзэкIэ пхузэмыгъэщIэным хуэдиз мэхъу. Бзэм и гуапагъэр, и дахагъэр адэ-анэхэмрэ я гъэсакIуэхэмрэ зыхрагъащIэ, зэхаххэр жаIэжурэ я анэдэлъхубзэр куууэ зрагъащIэ. 3. Сабийр садым кIуа нэужь, адыгэбзэр абы фIыуэ ищIэным гъэсакIуэхэр хуэлажьэу щытын хуейщ. Предмет псомкIи школым фIыуэ зэрыщеджэным садым щыхуагъэхьэзырауэ щытыпхъэщ сабийхэр. Абы цIыкIухэм анэдэлъхубзэмкIи урысыбзэмкIи я жьэрыIуатэбзэм зыщрагъэужь, есэпымкIэ гурыIуэгъуэ нэхъ тынш дыдэхэм щыщагъэгъуазэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм кIэлъыплъыфу щагъасэ. Зэи зыщыбгъэгъупщэ мыхъунщ мыр: анэдэлъхубзэр фIыуэ зыщIэм адрей бзэхэри нэхъ щIэх къеубыд. 4. МащIэ дыдэщ сабий литературэу щыIэр. Сабий литературэр я ныбжькIэ яхуэфащэу, тхылъхэр удихьэхыу гъэщIэрэщIауэ, мыин дыдэу щытын хуейщ, адэ-анэр, гъэсакIуэр къызыхуеджар сурэтхэм еплъурэ къыжаIэжыфын папщIэ. Сабийхэм папщIэ къыдэкI журналхэр удэзыхьэхщ. Арагъэххэщ ялъагъури зызыхуагъазэри. Мыр гугъуехь ин дыдэу, нэхъыщхьэ дыдэу къызобж. Ди анэдэлъхубзэр джыныр егъэфIэкIуэным дыхуэлэжьэну дыхуеймэ, икIэщIыпIэкIэ хэкIыпIэ къыхуэгъуэтыпхъэу къызолъытэ. ХэткIи гурыIуэгъуэщ ахъшэм нэсмэ, Iуэхур къызэрыувыIэжыр. Ауэ лъэпкъ ущыхъукIэ, хэкIыпIэ хъунухэми улъыхъуэн хуейщ. Куэд еджэм куэд ецIыху. Художественнэ (дахэгъэпс) литературэм еджэным ди щIэблэр нэсу дегъэхьэхын хуейщ. 5. Анэдэлъхубзэр джыныр ефIэкIуэн папщIэ, сыхьэт бжыгъэ нэхъыбэ хухэхыжынми щIэкъун хуейщ. Сыхьэтхэр зэрымащIэм къыхэкIыу, егъэджакIуэхэм ящIэфыну куэд къонэ. И хъуреягъыр къэпкIухькIэ, куууэ пхуэджыну адыгэбзэр? 6. Илъэс зыбжанэкIэ предметхэми хагъэхьауэ адыгэ этикетыр яджу щытащ. Иджы ар хьэрэкъуакIэ дадзэжащ, щэху-нахуэми, еджапIэ гуэрхэм абы и дерсхэр, щрагъэкIуэкIми. Ар псори зыхуэныкъуэщ, ар гъэсэныгъэм и дерс хэхащ. 7. Дэтхэнэ егъэджакIуэми иджырей зэрырагъаджэ технологиещIэхэри компьютернэ технологиехэри къигъэсэбэпу щытын хуейщ. 8. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм ди лъэпкъым и гупэр хуигъэзэн хуейщ. Абы хуегъэджэн хуейр курыт школым нэхъыфI дыдэу щеджахэрщ, сыту жыпIэмэ абыхэм дэ дзыхь яхудощI ди щIэблэр, ди къэкIуэнур. Адыгэхэр ипэкIэ дыкIуэтэну дыхуеймэ, ди бзэр, ди тхыдэр дджыжын хуейщ, ди лъэпкъым къыпэщыт къалэнышхуэхэр гъэзэщIэным пэлъэщыну щIэныгъэлIхэр ди щIэблэм къахэкIын хуейщ. — Адыгэбзэр лъэ быдэкIэ увыжыныр зи къалэныр егъэджакIуэхэм я закъуэу къэплъытэрэ? — Пэжщ, лъэпкъыр егъэджакIуэфIхэм я закъуэкъым зыхуэныкъуэр, атIэ къытщIэувэн хуейкъэ щIэныгъэрылажьэхэр, политикхэр, экономистхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр, артистхэр — кIэщIу жыпIэмэ, лъэпкъ Iуэхур лъэныкъуэ куэдкIэ ипэкIэ зыгъэкIуэтэфынухэр. Къызэрыхъу и мэшкIэ ди щIэблэм IэщIагъэхэр къыхедмыгъэхыу, лъэпкъыр, адыгэ хэкур нэхъ зыхуэныкъуэхэм хуегъэджэн хуейщ. IэщIагъэ къыхэпхым цIыхухэр зэрыхуэныкъуэр псом япэу къыхэлъытэн хуейщ Iуэхум. ЩIэблэм мыбыи гу лъезгъэтэну сыхуейт: уи IэщIагъэм фIыуэ хэпщIыкIмэщ, абы ухуэшэрыуэмэщ ар фIыуэ щыплъагъунур. ЩIэныгъэ уиIэмэ, узыхуеджа IэщIагъэм и хъер плъагъумэ, абы гузэгъэгъуи къуитынущ. Адыгэбзэм теухуа гукъеуэхэмкIэ къэзгъэзэжынщи, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм иджыщ я анэдэлъхубзэр яджыну хуит щащIари, дунейр я гуфIэгъуэщ. Ди деж аспирантурэр къэбухыхукIэ пщIэ щIумыту ущеджэфынущ. ПсэупIэ зэгъэпэщахэми ущIагъэтIысхьэнущ. ЦIыхур зыхуеину псори яIэщ. Стипендие къудейкIэ еджэфынущ игурэ и псэрэ етауэ щIэныгъэ зэзыгъэгъуэт дэтхэнэри. Зы гукъеуи щыIэкъым, уеджэну ухуей къудеймэ. Хамэ къэралхэм къокIри ди деж еджакIуэ къокIуэ. Апхуэдэу щыхъукIэ, уи бзэр бджыжыну къуат Iэмалыр къыумыгъэсэбэпыныр мыхъумыщIагъэщ. Епсэлъар БЕМЫРЗЭ Зурабщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25911.txt" }
Нэмыс зыхэлъым насып иIэщ Егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ сыт щыгъуэ зэманми пщIэшхуэ хуащIу щытащ. Аристотель и системэм и лъабжьэр — цIыхум лъэныкъуэ псомкIи зыужьыныгъэ егъэгъуэтыныр — античнэ дунейм и педагогикэ гупсысэ нэхъыщхьэу щытащ. Абы и ужькIэ Сухомлинскэм, Ушинскэм, Макаренкэ сымэ абы и гупсысэхэр ягъэкIуэтащ. НобэкIи егъэджакIуэ-узэщIакIуэхэу Волковыр, Амоношвили, Лысенкэ, Шаталов сымэ фIыуэ хэлэжьыхьащ. Чыржын Куклэ Педагог» алыдж псалъэм урысыбзэкIэ «дитя веду», адыгэбзэкIэ «сабийр соунэтI» къокI — щIэблэр зэрыхъунур егъэджакIуэм здишэм зэрелъытар IупщIу къыхощ абы. Иджы зэманым Федеральнэ стандартым (ФГОС) къызэригъэлъагъуэмкIэ, еджапIэхэм я пащхьэм жыла- гъуэм къригъэувэ къалэнхэм ящыщщ анэдэлъхубзэр зэрырагъэдж щIыкIэр, гъэсэныгъэр егъэфIэкIуэныр, еджакIуэм цIыху хэтыкIэ егъэщIэныр. Адыгэбзэр къалэ еджапIэм щыджыным къалэн куэд къегъэув. ЕгъэджакIуэхэм я къалэн нэхъыщхьэщ: лексикэм, фонетикэм, грамматикэм, стилистикэм теухуауэ щIэныгъэ пыухыкIахэр етыныр, жылагъуэм и гъащIэм бзэм, гъэсэныгъэм мыхьэнэуэ щаIэр еджакIуэм гурыгъэIуэныр. Ауэ, сэ къызэрысщыхъумкIэ, лъэпкъ куэдым къахэкIахэр зыщIэс еджапIэхэмрэ зы лъэпкъым щыщхэм фIэкIа зэмыкIуалIэ къуажэ школхэмрэ бзэр зэхуэдэу щебгъэджыныр Iэмал зимыIэщ. Мыпхуэдэу щIыжысIэм щхьэусыгъуэ куэд иIэщ: 1) лъэпкъ куэдым къахэкIахэр щеджэ школхэм я сыхьэт бжыгъэр нэхъ мащIэщ; 2) еджапIэм къакIуэ сабийхэм я анэдэлъхубзэм ирипсэлъэфу яхэтыр процент 35 — 40-щ; 3) сабий садым анэдэлъхубзэм зэрыщыхурагъаджэ программэ яIэкъым, абы къыщымынауэ, сабийм унэм щызригъэщIари щогъупщэж, урысыбзэм фIэкIа щызэхимыхкIэ; 4) къалэдэс сабийм дэнэкIэ зимыгъазэми (уэрамым, еджапIэм, пщIантIэм, спортплощадкэм, н.къ.) урысыбзэщ зэхихри, езым и анэдэлъхубзэр фIокIуэдыж; 5) уигу къызэреуэнщи, адэ-анэхэми я нэхъыбэр унагъуэм зэрыщызэпсалъэр урысыбзэщ; 6) адэ-анэхэм я нэхъыбэм къагурыIуэркъым сабийр лъэныкъуэ псомкIи гъэсауэ къэхъуным анэдэлъхубзэм мыхьэнэуэ щиIэр; 7) анэм и быдзышэм и гъусэу сабийм и Iэпкълъэпкъым хыхьэн хуей анэдэлъхубзэр, уи жагъуэ зэрыхъунщи, хамэбзэ мэхъу. 8) ТэмакъыщIэм къиIукI, лабилизованнэ макъхэр тэмэму ягъэIужыфыркъыми, абы ироукIытэ, Iэнкун ещI сабийхэр. Мы щхьэусыгъуэхэм ди пащхьэм кърагъэувэ жэуап зэптыну гугъу мыпхуэдэу упщIэ: «Зи бзэ зымыщIэж сабийхэр анэдэлъхубзэр яджыным дауэ къызэретшэлIэфынур?» Волковым и «Этнопедагогика»-мрэ Шорэ Ибрэхьим и «Народная педагогика — Лъэпкъ педагогикэмрэ» щIэзджыкIа нэужь, си фIэщ хъуащ си лэжьыгъэм и лъабжьэу лъэпкъ педагогикэр гъэувын зэрыхуейр, этнопедагогикэм и теориемрэ практикэмрэ зэгъусэмэ, лъэныкъуэ псомкIи зызыужьа, гупсысэ тэмэм зиIэ щIэблэ зэрыбгъэсэфынур. ИгъащIэ лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкIа Iущыгъэхэр, бэм зэхуихьэса гъэсэныгъэ мардэхэр, ди IуэрыIуатэм хэт щапхъэхэр тегъэщIапIэ щIын хуейщ щIэблэр щедгъаджэкIэ, щыдгъасэкIэ. Анэдэлъхубзэм и къулеягъыр IуэрыIуатэм нэхърэ нэхъыфIу къызыхэщ щыIэу къэслъытэркъым. IуэрыIуатэ хъыбарыжьхэм сабийм и гур ягъэпIейтей, бзэр зэригъэшэрыуэным кърашалIэ. ЖьэрыIуатэм и мызакъуэу, узыхутепсэлъыхьыр сабийм ебгъэлъагъуным сэбэпышхуэ къызэрихьым тетщIыхьри, ныбжьыщIэхэр къыздэIэпыкъуурэ «Этнографие музей» зэдгъэпэщащ. Хьэпшыпхэм нэмыщI, IуэрыIуатэм, щэнхабзэм, адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, хабзэм ятеухуауэ тхылъ 450-м нэс щIэлъщ мыбы. Ахэр сабийхэм щIаджыкI, къагъэсэбэп къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ. Музейм лъэпкъ студие щызэIутхащ, къудамих иIэу. Абы щIэлъ хьэпшыпхэр «щопсэу» адыгэбзэ, анэдэлъхубзэ дерсхэм. Дауи, музейр еджапIэм щыпIыгъыныр тыншкъым, ауэ ар сыт хуэдэу дэIэпыкъуэгъушхуэ къыс- хуэхъурэ адыгэбзэр ди цIыкIухэм уэрсэру яджу, лъэпкъыпсэ-хэкупсэу, цIыху щыпкъэхэу къэтэджынымкIэ! Лъэпкъ студием хэтхэм дэнэ зыкъыщамыгъэлъагъуэми, япэ увыпIэхэр, дипломхэр къахь. Хабзэ хъуа методхэм я гъусэу тегъэщIапIэ сощI хъыбарегъащIэ мыхьэнэ куу зиIэ материалхэр, зэхуэмыдэ методикэхэр — сабийхэм я акъылыр жану зыгъэлажьэхэр. Къэзгъэсэбэп Iэмал псори къысхуебжэкIынкъым, ауэ зыгуэрхэм я цIэ къисIуэнщ: — лэжьыгъэм епха джэгукIэхэр; — сабийхэм я Iуэху еплъыкIэхэр къыщагъэлъагъуэ, зыдызэдауэ зэхуэсхэр; — унэтIыныгъэщIэхэр къэгъэсэбэпыныр (нобэрей гъащIэм теухуауэ); — IэпщIэлъапщIагъэм щыхуагъасэ кружокым щащIа хьэпшыпхэр; — этнографическэ музейм и материалхэр; — адыгэ щэнхабзэм, тхыдэм, хэкум ятеухуа аудио-видео материалхэр; — къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр; А Iэмалхэм я сэбэпынагъыр къризгъэлъэгъуэну къэхутэныгъэ лэжьыгъэр къэсщтэнщи, егъэджакIуэр абы хуегъасэ езыр-езыру лэжьэфу, сыт хуэдэ Iуэхуми и купщIэр къыхихыфу, ар къыдеджэхэм я пащхьэ кърилъхьэжыфу. Ди школ музейм щIэлъщ апхуэдэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн куэд, зэпеуэхэм япэ увыпIэхэр къыщахьауэ. Нобэ дызытет дунейм нэмыс-асыл жыхуаIэхэр нэхъ IэщIыб щыхъуакIэ, ди сабийхэм щIэныгъэ ятт къудейкIэ зэфIэкIынукъым — ди зэманым «къефыкI» уз куэдым ди щIэблэр ящытхъумэн щхьэкIэ, ди хабзэхэр ящIэу, ахэр ягъэзащIэу, адыгагъэ яхэлъу, Iэдэбу, къызыхэкIа лъэпкъыр, я Хэкур фIыуэ ялъагъуу, адрей лъэпкъхэми пщIэ хуащIу гъэсэн хуейщ. АбыкIэ сэ дэIэпыкъуэгъушхуэ къысхуохъу «Этнографие музейр». Адыгэ щэнхабзэ дахэм зи гур лъэIэса сабийм зэи Iей ищIэнукъым. Франджы философышхуэ Клод Адриан Гельвеций жиIауэ щытащ: «Чем совершеннее воспитание, тем счастливее народ». Дэри диIэщ а мыхьэнэм хуэкIуэ псалъэжь: «Нэмыс зыхэлъым насып иIэщ». Зи щIэблэр гъэсэныгъэ дахэм щIэпIыкIа хъуа лъэпкъхэм ящыщ Тхьэм дищI. Мы тхыгъэр къэзгъэсэбэпу, захуэзгъэзэну сыхуейщ лэжьэн щIэзыдзагъащIэ егъэджакIуэхэм: «Япэ классым щеджэ сабийхэм, адыгэ алфавитыр бгъэдыхьэкIэ зэхуэмыдэхэр къэвгъэсэбэпурэ, фIыуэ евгъащIэ, армыхъумэ, адрей илъэсхэм гугъу фызэрехьынур фи фIэщ фщIы. Псалъэжьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр щевгъащIэкIэ, джэгукIэ зэхуэмыдэхэр къэвгъэсэбэп — ахэр сабий садым къикIа къудейщ. Фэ куэдкIэ фэлъытащ лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэр зыхуэдэнур. Ар зэи зыщывмыгъэгъупщэ!» Федеральнэ программэм и фIыщIэкIэ, иджырей зэманым Iэмалхэр нэхъыбэ хъуащи, ди зэфIэкIхэри нэхъыфI хъун хуейуэ къызолъытэ. Зы адыгэ сабий Тхьэм къимыгъанэ и бзэр имыщIэжу, къызыхэкIар имыцIыхужу. Адыгэ лъэпкъыр и щIэблэм иригушхуэу Тхьэм игъащIэкIэ дунейм тригъэт! ЧЫРЖЫН Куклэ, Черкесск къалэ школхэм адыгэбзэр щезыгъэджхэм я методзэгухьэныгъэм и унафэщI, 5-нэ гимназием и егъэджакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25917.txt" }
Зи гур мыкIуэдурэ зи унагъуэр кIуэдхэр Хэкужьыр уи лыпцIэм хуэIупщIакIэщи, ХамэщIыр уи къупщхьэ егъущ. Уи пыIэ щыгум дыгъэр къыщепсурэ Уи цеикIэр хъуным яшхащ, Си адыгэбзэ… ЮНЕСКО-м зэригъэбелджыламкIэ, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм яIурылъ бзэхэм ящыщу 120-р кIуэдыжынкIэ шынагъуэ хъуащ, 15-р кIуэдыжагъэххэщ. Дунейпсо щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, зи гугъу тщIы бзи 120-р гува-щIэхами, зыхагъэпшэхъуэжынущ лъэпкъыбзитIым — урысыбзэмрэ тэтэрыбзэмрэ. Зыхагъэпшэхъуэжынущ зы Iэмал закъуэкIэ — зауэкIэкъым, банэкIэкъым, гынышэ лъапсэрыхкIэкъым. АтIэ а бзэхэм ейхэм я пIэ езыхэм я псалъэхэр ирагъэувэурэщ. ЩыжаIэ щыIэщ: «Хамэбзэ къыхыхьэкIэ, адыгэбзэр кIуэдыжынукъым. Мес урысыбзэм и щIэлъэныкъуэр хамэбзэщ, ар и щхьэусыгъуэу кIуэдыжкъым». Апхуэдэ гупсысэмкIэ зи гур зыгъэфIхэм ягу къэдгъэкIыжыну дыхуейщ: урысыбзэр хабзэкIэ ягъэувауэ зэрахьэ къэралыбзэщ, къэрал дэфтэрхэр зэратх бзэщ, мелуан щитIым нэс зэрыпсалъэщ… Абы и къару къихьыфымрэ нэхъыбэ дыдэу цIыху мелуан зэрызэпсалъэ бзэмрэ зэбгъэпщэныр щхьэгъэпцIэжщ. Чейм шыгъу IэмыщIэ хэбдзэрэ зы фалъэми апхуэдиз дыдэ хэбдзэну и ужь уитымрэ хуэдэщ ар. КIуэдыжыгъуэ ихуа бзэм и нэхъ иужьрей нэщэнэр — ар хамэбзэр унагъуэм щихьэращ. Нобэ дызэплъыжмэ, тлъагъунущ абы дызэрыхуэкIуар, унагъуэм къыщыдгъэсэбэп дэтхэнэ Iэмэпсымэми, хьэкъущыкъуми, тепIэн-щIэлъынми хамэбзэкIэ дызэреджэр. ЩIэблэ къэс яIурылъ бзэр зыхэпщIэу нэхъ тхьэмыщкIэ хъууэрэ макIуэ. «Адэ-анэхэм я нэхъыбэр я сабийхэм епсалъэу щIадзэ щыпсэу щIыпIэм нэхъыбэу щызекIуэ бзэмкIэ. Зи быным хамэбзэкIэ епсалъэу щIэзыдза лъэпкъыр къызэтенэну ущIыщыгугъыжын щыIэкъым…» — щыгъэбелджылащ лъэпкъ цIыкIухэм я бзэхэр зэрыкIуэдыжыр къэзыпщыта IэщIагъэлIхэм я тхыгъэм. Ар дэри къадыдощтэ. Уи быным узэрепсалъэ бзэр зей лъэпкъращ уэри узыщыщыр. Адыгэбзэр зи жьэгум дэмылъыжым адыгэ унагъуэкIэ уеджэ хъужынукъым, сыту жыпIэмэ бзэр здэщымыIэж щIыпIэм лъэпкъри щыIэжкъым. Хэдвмыгъэгъэхьэ ди бзэм хамэбзэ псалъэхэр! Адыгэбзэм депIэскIуурэ кIуэдыжыпIэ идгъэхуащ! НыбжьыщIэхэр щыгъэтыжауэ, нэхъыжь куэд (а бзэм и мэIуху нэхъыщхьэу щытыпхъэ нэхъыжьхэр!) къыбжьэхэувэу щыжаIэ щыIэщ: «Фи газетым дыкъеджэжыфыркъым, къыдгурыIуэркъым». АтIэ, сыт абы и щхьэусыгъуэр жыпIэу уеупщIмэ, къыбжаIэр зыщ: «Урыс псалъэ дызэсахэр адыгэбзэкIэ къытыводзэ»! Апхуэдэ зэхэпхыныр узыгъэгузавэщ. Дэ урысыбзэм зыри пытлъхьэкъым, ауэ адыгэ псалъэ щыIэу, нэгъуэщI къыщIэдгъэсэбэпын хуейр къыдгурыIуэнкIи Iэмал иIэкъым. Псом хуэмыдэу ар щымыгурыIуэгъуэр адыгэ газетым хуэгъэзауэщ — адыгэ газетым урысыбзэкIэ дыщытхэжмэ, абы сыт къикIыжыр?! Армырами, зэтхъуэкI мыхъуу лъэпкъыбзэм къыхыхьа хамэбзэ псалъэщIэхэр тхурикъунщ, диIэххэ псалъэхэр IэщIыб дымыщIыжми. АдыгэбзэкIэ ттхам къыщемыджэфкIэ, ар зи ягъэр езы къемыджэфырщ, армыхъумэ ар зи IэдакъэщIэкIыркъым. Адыгэу зэджэжыну хуеймэ, и бзэр нэгъэсауэ зрырегъащIэ! Куэдым къыщыджаIэ щыIэщ: «Сыт мазэцIэхэр адыгэбзэкIэ къыщIытевдзэр? Зэрыкъэралу зэсауэ зытет цIэхэр сыт къыщIэвмыгъэсэбэпыр?» Ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ мазэцIэхэр зафIэмыIеижу «зэпкърахри», абыхэм къарыкIыр езыхэм къазэрымыгурыIуэжыр и щхьэусыгъуэу, латиныбзэ мазэцIэхэр нэхъ гурыIуэгъуэу ягъэув. «ЩэкIуэгъуэ» жыпIэу мазэм сыт фIэпщын щIыхуейр, ар тэрэзкъым. Ноябрь мазэ закъуэра щыщакIуэр? Июнь мазэ закъуэра мэкъу щеуэр?» — мы упщIэхэр зэхыбох щIэх-щIэхыурэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, а псор къызыхэкIыр, я лъэпкъым зэманым къыпхриха щIэиныр зэраIэпыхужращ, яхуэфащэ щIэныгъэ ди цIыхухэм зэрабгъэдэмылъырщ. Япэрауэ, адыгэбзэкIэ ттха мазэцIэм латин фIэщыгъэри къыбгъурымыту къытеддзэркъым газетым. ЕтIуанэрауэ, лъэпкъым и махуэгъэпс дахэкIейр Iумпэм щIэтщIыни тлъагъуркъым. ЩIэныгъэлIу дунейм тетым къалъытэ: махуэгъэпс зиIэ лъэпкъыр — лъэпкъыжьщ. Ди лъэпкъыр «зыгъэщIалэхэр» дрокъу, ди лъэпкъэгъухэм я щхьэхуэфI гупсысэхэр къыхамылъхьэми. Арами, ди щIэджыкIакIуэхэм гурыIуэгъуэ яхуэтщIынщ зэрамыпэсыну зи ужь ит адыгэ мазэцIэхэм я мыхьэнэмрэ апхуэдэу щIеджэмрэ. Латиныбзэм теувауэ, лъэпкъыу хъуар абыкIэ мазэхэм еджэу къэзылъытэхэр хуабжьу щоуэ. Жыжьэ дымыIэбэу, Кавказым щыпсэу лъэпкъ къудейхэр къатщтэмэ, тлъагъунущ я лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ махуэгъэпсхэр, дэтхэнэми зэрахьэу, зэраIэр. Зэрахьэ икIи ирогушхуэ. ИкIи къагъэсэбэп. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, урысыбзэкIэ щытхэкIэ, щыпсалъэкIэ къамыгъэсэбэпми, я лъэпкъыбзэкIэ тхэ газетхэм, журналхэм къыщахьыр ахэращ. Абы и щыхьэту, Шэшэным, Ингушым, Осетием, адрей хэгъуэгухэм я лъэпкъыбзэкIэ тха газетхэр, журналхэр щIэфплъыкIыфынущ. Ар зы Iуэху. ЕтIуанэрауэ, адыгэ мазэцIэ къэс я мыхьэнэ яIэжщ, ахэр ауэ сытми фIащауэ, е зыгуэрым къигупсысауэ аракъым. Нобэ хуэдэу, уэрамтесу, ящIэн ямыгъуэтмэ — хуеймэ щакIуэу, хуеймэ мэкъуауэу псэуакъым адыгэр. Iуэху къэс езым и зэман иIэжт. Июным мэкъуауэ дэкIырти, пщыIэ тращIыхьырти, тхьэмахуэ, мазэ енкIэ тест. ЗэрахузэфIэкIкIэ, зэгъусэу дэкIырт хьэблэр, къуажэр, зэдэIэпыкъурт, мыхъумыщIагъэ къэхъуми зэкъуэувэрт. Абы и щыхьэт куэд къыхощыж ди тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм: къуажэлIхэр мэкъуауэ дэкIауэ, бийр къуажэм къыдэуауэ… Ди щхьэм къитха гупсысэ къудейхэмкIэ дывдэгуашэу зэрыщымытым и щыхьэту, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэми я махуэгъэпсым ди лъэпкъым ейр едгъапщэурэ дыкIуэнщ. Зи гугъу тщIы мэкъуауэгъуэ мазэм мэкъу еуэныр зи хабзари фIэзыщари адыгэхэм я закъуэкъым. Ингушхэм я махуэгъэпсым июнь мазэм зэрыщеджэр «мангл-бут» — «месяц покосов» жиIэущ. Сыт ар июнь мазэрауэ щIыщытыр? Абы и ужь мазэм мэкъу еуэжыркъэ? Мэкъумэшым епхауэ псэу лъэпкъхэм ящIэрт «мэкъуауэгъуэ» мазэм «бадзэуэгъуэр» (июлыр) къызэрыкIэлъыкIуэр. Езы цIэм къыбжеIэ а мазэм къэхъур. Бадзэр егъэлеяуэ къыщежьэ мазэ жиIэу аращ. Щыхьэт фыхуей? Доплъ осетин махуэгъэпсым: «июль» — «сосан». В переводе — «трясущий головой». Месяц, когда лошади трясут головой, чтобы отогнать мух». АдэкIэ докIуэ, октябрь — жэпуэгъуэ. Адыгэ закъуэрауэ пIэрэ а мазэм апхуэдэу еджэр? Доплъ шэшэнхэм я махуэгъэпсым: «октябрь» — «эсаран бутт» — «месяц инея». ЗэрыхъумкIэ, ди адэжьхэм ящIэн ямыщIэжу фIащакъым а мазэцIэхэр. Дынос куэдрэ ауан ящI «щэкIуэгъуэ» мазэцIэм. Пэжщ, адыгэхэр щыщакIуэр а зы мазэ закъуэратэкъым. Ауэ, а мазэм «щэкIуэгъуэ» щIыфIащын хуеями и щхьэусыгъуэ гъэбелджыла иIэжщ. Ноябрыр — бжьыхьэр зэриух мазэщ. ЩIымахуэр къыщыблагъэщ. ЦIыхухэр щакIуэ кIуэрти, щIымахуэм яхурикъун лы куэду зэрагъэпэщырт, ар яупIэрт, ягъэгъурт. Бадзэри зэран къахуэхъуртэкъым, лыри нэхъ хъума хъурт, унагъуэр щIымахуэм зыщыгугъын лыхэкIкIи зэгъэпэщауэ уэсымрэ щIыIэмрэ пежьэт. АтIэ, а мазэм и цIэм и мыхьэнэр дауэ къазэрыгурыIуэнур щIыIалъэм (холодильникым) лыр илъэсым и кIыхьагъым щызезыхьэу, зыкIи къыхэмыщтыкIыу жей иджырей цIыхухэм? Доплъ а мазэм ди гъунэгъу лъэпкъхэр зэреджэм. Шэшэным — «лахьан бутт» — «месяц мясной заготовки на зиму»… Сыт хуэдэ щыхьэт нэгъуэщIу зыхуейр ди гурыщхъуэщIхэр? Ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэбзэкIэ упсалъэмэ, уагъэкъуэншэну уи ужь къихьэ хъуащ. Куэд щIакъым, акъыл гъэтIысакIэ дызыщыгугъ, лъэпкъым и нэхъыжьыпIэ утыкум ит, жьыщхьэ махуэм нэса нэхъыжь къыдбгъэдэувэу, и фIэщу къызэрыдиудэкIрэ: «Дызэса урыс псалъэхэр къытевдзэ газетым. «Культура» псалъэ дахэкIейр сыт «щэнхабзэ» жиIэу щIызэфхъуэкIар?!» Сыт, а «псалъэ дахэкIейр» ди деж къэмыс щIыкIэ ди лъэпкъым щэнхабзэ лъабжьэрэ ар зыгъэбелджылы псалъэрэ имыIауэ ара?! Хьэмэрэ хабзэншэрэ жыгыщхьэрысу адыгэр къэгъуэгурыкIуа? Дуней псом щызрагъэлъагъуу зытепсэлъыхьа адыгэ щэнымрэ хабзэмрэ IудгъэкIуэту, сыт «культура» жиIэу къытеддзэн щIыхуейр?! Адыгэбзэм сыт зихъуэжын щIыхуейр, зы сыхьэт тригъэкIуадэу, мазэцIэ 12-м адыгэбзэкIэ зэреджэмрэ «щэнхабзэ» псалъэм и мыхьэнэмрэ зэзыгъэщIэну зи щхьэ тезымылъхьэхэм щхьэкIэ?! «Апрелым Дворец Культурэм культурнэ мероприятие щекIуэкIащ» жиIэу ттхымэ, ар адыгэбзэ хъужрэ?! Апхуэдэ къабзэщ нэгъуэщI псалъэхэри. АдыгэбзэкIэ диIэ псалъэхэм я пIэкIэ хамэбзэхэм ейхэр къыщIэдгъэсэбэпын щхьэусыгъуэ щыIэкъым. Фегупсыс: дунейм цIыхуу щыпсэум я процент 70-р бзэ 40-щ зэрыпсэлъэжыр. Нэхъыбэу къагъэсэбэпыр китаибзэрщ, испаныбзэрщ, хинди бзэрщ, инджылызыбзэрщ, урысыбзэрщ, португалыбзэрщ, хьэрыпыбзэрщ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, 2100 гъэм нэсыху а бзэ 40-м зыри къащыщIынкIэ шынагъуэкъым. КъызыщыщIынур — абыхэм «япIытIыну» бзэ цIыкIухэращ. Нэхъыщхьэжу ягъэбелджылыр зыщ — а щытыкIэр зыгъэзэкIуэжыфын Iэмал иджыкIэ ялъагъуркъым. ЮНЕСКО-м и IэщIагъэлIхэм къызэрахутамкIэ, бзэр хъума хъуныр епхащ щытыкIи 9-м: бзэм ирипсалъэ цIыху бжыгъэм хэщI зэрымыхъунур; абыхэм яIурылъ бзэм и къабзагъэр зэрахъумапхъэр; къабзагъэм сэбэп хуэхъу тхылъхэр, тхыбзэр зэрыщыIэпхъэр; лъэпкъхэм я хъыбарегъащIэ Iэмалхэм анэдэлъхубзэ къабзэр цIыхухэм я деж нахьэсын зэрыхуейр; зэманым къыдэкIуэ IэмэпсымэщIэхэм, къэхъукъащIэщIэхэм лъэпкъым и псалъэкIэ зэреджапхъэр; къэрал дэфтэрхэр лъэпкъыбзэмкIэ къыдагъэкIын зэрыхуейр; бзэм хуэгъэза бэдаущ мурад гъэбелджылам зэрытетыпхъэр; езы лъэпкъым щыщ цIыхухэр бзэм зэрыхуэсакъын хуейр; лъэпкъыбзэм зыри хэмыщIу нэхъыжьхэмрэ щIэблэмрэ зэрызэIэпахыпхъэр… АтIэ, сыт а псом щыщу диIэр? Ди бзэм ирипсалъэхэм хощI, хамэ псалъэу къыхыхьэхэм бзэм и къабзагъэр ягъэкIуэд, адыгэбзэкIэ тхылъу къыдэкIыр нэкIэпсыжэщ, лъэпкъыбзэкIэ тхэ зы газетыжь закъуэми и адыгэбзэм «къопIэскIухэ», адыгэбзэкIэ къэрал дэфтэр къыдэкIыххэркъым, бэдаущ муради щыIэкъым, ди цIыхухэри бзэм хуэсакъыххэркъым; зэман дэкIмэ, нэхъыжьхэм щIэблэм иратыжын лъэпкъыбзи ягъуэтыжынукъым. Фи фIэщ мыхъумэ, едгъэлейуэ къыфщыхъумэ, федаIуэ фи сабийхэм. «Кружка, вилка, ложка, чайник, тарелка, одеяло, простыня, наволочка, прическа, туфли, садик, школа, оценка, воспитательница, учитель…», нэгъуэщI псалъэ куэд адыгэбзэкIэ жаIэу зэхэвмыхмэ, дэ пцIы доупс. А къедбжэкIахэм къызэщIаубыдэ унэри, шхапIэри, жеипIэри, сабий IыгъыпIэри, еджапIэри. А псор хэбгъэкIыжмэ, адыгэбзэм къыхуэнэжыр сыт? «СокIуэ, сыкъокIуэж» — абыхэм я закъуэ адыгэбзэр? АтIэ, иджыпсту апхуэдэу фIэкIа адыгэбзэр зыIурымылъ фи щIэблэм илъэс тIощI дэкIмэ, я сабийхэм Iуралъхьэжынур сыт? Ар упщIэ гугъущ. Арагъэнщ «культура» псалъэми «дыхуэныкъуэ» щIэхъуар. Ди тхыгъэм и кIэм зым федгъэгупсысыжынщ: [Atlas of the World’s Languages in Danger 2010] и фIэщыгъэу ЮНЕСКО-м къыдигъэкIа тхылъым деж «бзэ кIуэдыжхэр» зыфIащахэм яхэтщ къэбэрдей-шэрджэсыбзэри… [Языки народов России. Красная книга. 2002: 10] тхылъым итщ шапсыгъ лIакъуэм и бзэр. Хэт ищIэрэ а тхьэмыщкIагъэр къыщытлъысынур. Хьэкъыр зыщ — ар къыщыдэуэлIэнур «мэкъуауэгъуэ», «жэпуэгъуэ», «щэкIуэгъуэ» мазэхэркъым, атIэ — «июныр», «октябрыр», «ноябрыр»… БЕМЫРЗЭ Зураб.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25920.txt" }
Дерс щхьэпэхэр Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыр и бзэращ. Бзэр уимыIэжмэ, сабий ибэу, хьэжрэту дунейм къытенам ухуэдэщ. Уи зэранкIэ уи бзэр бгъэкIуэдыжари лъэпкъым и щIэин лъабжьэр бгъэгъужари — тIури зыщ. Сабийм гущэкъу уэрэдхэр, таурыхъхэр зэрыжраIа бзэращ и анэдэлъхубзэу къыдэгъуэгурыкIуэр, дунейм тетыху зэрыгупсысэр. Ажий Белэ Мы гупсысэхэм дыхуэкIуащ, Черкесск дэт 11-нэ еджапIэм адыгэбзэр щезыгъэдж Ажий (Болжат) Белэ Мэхьмуд и пхъум дыщепсэлъылIэм. Бэлэ илъэс 13 хъуауэ иролажьэ лъэпкъыбзэм. Пэжщ, мы еджапIэм зэрыщыIэрэ илъэс ныкъуэщ зэрыхъур, арами, зыхэт гупым пщIэрэ фIыщIэрэ къыщилэжьакIэщ. — Белэ, сабийхэр адыгэбзэ дерсхэм зэрыхущытымрэ абыхэм уазэрыдэлажьэ щIыкIэмрэ я гугъу къытхуэпщIамэ ди гуапэт… — Мы школым адыгэбзэр щезыгъэджу щыIэр си закъуэщ. Япэ классым щыщIэдзауэ 10-нэм нэс изогъаджэ. Сабийхэр лъэпкъыбзэм дауэ хущытынуми зэлъытар балигъхэрауэ солъытэ. Пэжщ, гугъуехь ущримыхьэлIэ щыIэкъым, арами сабийхэр щIэбгъэкъуэншэн щыIэкъым бзэр зэрамыщIэмкIэ. АбыкIэ жэуап зыхьыр дэращ, балигъхэрщ. Адыгэбзэ дерсхэр зыфIэмыфIыщэ еджакIуи сыщрихьэлIаи щыIэщ, ауэ абыхэм залымыгъэкIэ сапэщIэувакъым, атIэ дахагъэкIэ я псэр къызэрыстхьэкъуным и ужь ситащ. Пэжщ, дапхуэдэ Iэмалым ухуемыкIуами, уи мурадым улъэIэсын щхьэкIэ, ткIиягъи ерыщагъи пхэлъын хуейщ. Сэри сыегъэджакIуэ ткIииIуэу щыжаIаи къэхъуащ, ауэ Iэмал сызыхуекIуахэр абы щхьэкIэ зэзгъэтIылъэкIакъым. Абы и фIыщIэщ лъэпкъыбзэм хуемыджэ сабийрэ ар зыфIэмыфIрэ ди еджапIэм зэрыщIэмысыр. — АтIэ, зи гугъу пщIы Iэмалхэр сыт хуэдэ? — Мы еджапIэм лэжьэн щыщIэздзар 2012 гъэм и фокIадэ (сентябрь) мазэращ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, еджапIэм и унафэщIхэми адэ-анэхэми я гум сынэсын, сабийхэри си дерсхэмкIэ къыдэсхьэхын хуейт. Арати, мурад сщIащ «Гостеприимный Кавказ» и фIэщыгъэу Черкесск къалэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм сыхэтыну. Ар теухуат Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм, къадекIуэкI хабзэхэм. Пэжыр жыпIэмэ, зэхьэзэхуэм кIуэну къызытехуэр сэратэкъым. Ауэ, еджапIэ унафэщIхэмрэ абазэбзэкIэ езыгъаджэу зэхьэзэхуэм ягъэкIуэну къыхахамрэ лъэIукIэ захуэзгъазэри, а зэпеуэм сэ сыхэтыну хуит зыкъезгъэщIащ. Апхуэдэ дзыхь къысхуэзыщIахэми фIыщIэ яхузощI, сыту жыпIэмэ еджапIэм сыкъэува къудейт, си зэфIэкIхэр иджыри згъэлъэгъуатэкъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, еджапIэри увыпIэ гуэркIэ гугъэрт. Дауэми, хуитыныгъэ къыдэпхакIэ Iуэхур зэфIэкIрэ — зыбгъэхьэзырын хуейкъэ? Си лъэIукIэ къыщыдэсхакIэ, нэгъэсауэ Iуэхур зэфIэсхыпхъэт. Адыгэ нысашэм теухуа лэжьыгъэ дгъэхьэзырри, зэпеуэм щыдгъэлъэгъуащ. Абы и дахагъ хъуар плъагъун хуейт. Зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къитхри дыкъэкIуэжащ. Ауэ увыпIэракъым нэхъыщхьэр. АтIэ сабийхэм я лъэпкъыбзэм хуаIэ щытыкIэ хъуаращ. Дерсым и мызакъуэу, махуэм зыбжанэрэ классым къыщIэлъадэу щIадзащ сабийхэм, сызыхуэныкъуэм къыщIэупщIэу, зэхьэзэхуэ гуэрым иджыри хэтмэ яфIэгуапэу. Ар зы лъэныкъуэ. Пэжщ, апхуэдэ зэпеуэхэм, зэхьэзэхуэхэм куэд елъытащ, ауэ бзэм и лъабжьэр щапсыхьыр дерсращ. Абы папщIэ, си дерсым сыт иджыри хэслъхьэмэ нэхъыфI, жысIэу сегупсыс зэпытурэ сыкъекIуэкIащ. Адыгэбзэ тхылъхэм нэмыщI, къэгъэсэбэпыпхъэ нэгъуэщI материал зэрыщымыIэм къыхэкIыу, сэ зэхэслъхьэу щIэздзащ дидактическэ лэжьыгъэхэр. Мы зэманым нэзгъэсыну солэжь «Азбукэм и дэIэпыкъуэгъу» зыфIэсща тхылъым. Абы хэзгъэхьащ сабийхэм сэбэп яхуэхъуну лэжьыгъэхэр, ущиехэр, чэнджэщхэр. Азбукэр ще- бгъэджкIэ, а тхылъ цIыкIур хуабжьу сэбэп хъунущ. Абы къыщымынэу, 2 — 4-нэ классхэм къыщагъэсэбэп хъуну, лэжьыгъэ зэхуэхьэсахэр зэрыт тхылъ щхьэхуэ зэхэслъхьауэ щыIэщ. Апхуэдэщ «Рабочая тетрадь» зыфIаща тхыпс-дэIэпыкъуэгъури. Абы итщ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн зэхуэмыдэхэр. Зы газет тхыгъэкIэ а псоми зэпкърыхауэ сытепсэлъыхьыфынкъым, ауэ ахэр тхылъ щхьэхуэу къыдэкIмэ, ди егъэджакIуэхэр нэIуасэ хуэхъунщ. Ахэр псори си дерсхэм къыщызогъэсэбэп. Плъагъун хуейщ абыкIэ сабийхэр яфIэгъэщIэгъуэну зэрылажьэр. Мис апхуэдэ Iэмал зэхуэхьэсахэрщ нобэ дызыхуэныкъуэр. Си щхьэ закъуэ къарукIэ згъэхьэзырахэм я мызакъуэу, апхуэдэ лэжьыгъэу хъуар щызэхуэхьэса купсэхэр диIамэ, тхылъхэр куэду къыдэдгъэкIамэ, хуабжьу къытхуэщхьэпэнут. НэхъыфIыжт апхуэдэ лэжьыгъэхэмкIэ дыщызэдэгуашэ Интернет къудамэ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгэ Республикэми, Къэрэшей-Шэрджэсми зэхэту диIамэ. Адыгэбзэр езыгъэджхэм ар сэбэп къытхуэхъунут. ЗэрыжаIэщи, Iуэхур щыкIуэтэнур псори дызэдеIэмэщ. Епсэлъар Батокъуэ Нурбий.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25922.txt" }
Псори къызэмыхъулIэми Сэ Али-Бэрдыкъуэ курыт еджапIэм илъэс тIощIрэ блырэ хъуауэ сыщолажьэ. Сигу къемыуэн слъэкIкъым адыгэбзэм и пщIэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъур. Абы къыхэкIыу дэ, адыгэбзэр езыгъэджхэм, ди пщэ илъщ ди къару къызэрихькIэ а щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зедгъэхъуэжыным. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, сабийм и бзэр фIыуэ ебгъэлъагъуныр псом нэхърэ нэхъыщхьэщ. Сыт хуэдэ си дерсри зэрысхулъэкIкIэ си къуажэм, си лъэпкъым изопх. ЕджакIуэхэм сахутопсэлъыхь ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыху цIэрыIуэхэм я IуэхущIафэхэм. Дауи уримыгушхуэнрэ ди жылэ закъуэм адыгэ тхакIуэу, усакIуэу нэрыбгэ тIощIым щIигъу къызэрыдэкIам. Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ сыныр ди хэгъуэгум псом япэ Хутэ Михаил и жэрдэмкIэ ди къуажэм зэрыщагъэувам. Ди республикэм и гербыр зи IэдакъэщIэкIыр ди къуажэ щIалэ Къущхьэ Назиру зэрыщытым. Си лъэпкъыр зэрыпагэ нэрыбгэхэу ди жылэм къыдэкIахэр фэзгъэцIыхуну аракъым нобэ си къалэныр, атIэ си цIыкIухэр бзэм дегъэхынымкIэ апхуэдэ щапхъэхэм сэбэпу къахьым и гугъу фхуэсщIыну аращ. Лъэпкъыр зэрыгушхуэхэм я гугъу щысщIкIэ, нэхъыбэу къыхызогъэщ ахэр зэрыадыгэр, сыт хуэдэ щIэныгъэ ямыгъуэтами, абыхэм я бзэр IэщIыб зэрамыщIам. Етхуанэ классым къыщысхуэкIуэкIэ, абыхэм щыгъуазэ щIыным щIызодзэ. А псор япэу зэхэзыха сабийр зэрыгуфIэм, абы гушхуэныгъэ хэлъым къаруущIэ къысхелъхьэ. Сабийхэм езыхэми зыгуэр щIэуэ къащIэмэ, абы щыгъуазэ сызэращIыным пылъхэщ. Ди еджапIэм щолажьэ КИД кружокыр. Абы и унафэщIхэщ Хутэ ФатIимэрэ ЛIымахуэ Маринэрэ. КИД-м и зэIущIэхэр нэхъыбэм зэрырагъэкIуэкIыр адыгэбзэщ. ЦIыху хьэлэмэтхэр, гъащIэ гъуэгу телъыджэ зыкIуахэм еджакIуэхэр нэIуасэ хуащI. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, а псори щызэппхыжкIэ ди бзэм цIыкIухэм хуаIэ щытыкIэм зехъуэж. Сэ зэхуэсхьэса материалхэри езыхэм къагъуэтахэри КИД-м и пэшым щIыдолъхьэ, адрей классхэм хэс сабийхэр нэIуасэ хуэтщIын щхьэкIэ. Иджыпсту ди сабийхэм я пащхьэ итлъхьэфынущ ди къуажэм и тхыдэр, и щIыпIэ телъыджэхэм я теплъэхэр, спортымкIи щIэныгъэмкIи диIэ ехъулIэныгъэхэм, лъэпкъыр зэрыгушхуэ щIэныгъэлIхэм, политикхэм дахутепсэлъыхьыфынущ, н. къ. Си дерсхэм куэду къыщызогъэсэбэп псалъэжьхэр. ЦIыкIухэм сащытхъунуми сигу иримыхьа гуэр яжесIэнуми псалъэжьхэр сэбэп къысхуохъу. «Сыт хуэдэ псалъэжь абы хуэфащэр?» — жысIэу защыхуэзгъазэкIэ, чэзу зэримыгъахуэу щапхъэхэр къысхуахь. Синонимыр щыдджкIэ цIыкIухэр зэпызогъауэ «Хэт синоним нэхъыбэ къыхуихьыфын псалъэм?» къыхуеджэныгъэм дыщIэту. Нобэ и кIэ къихуа еджакIуэр япэ зэрищыжыным хущIокъу. Мис апхуэдэурэ дерс къэс зыгуэркIэ сабийхэр бзэм пэгъунэгъу сщIыну сыпылъщ, ауэ псори къызохъулIэ жысIэмэ, си щхьэр къэзгъэпцIэжу къысщохъу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, егъэджакIуэр и лэжьыгъэм сыт и лъэныкъуэкIи арэзы техъуэмэ, ар егъэджакIуэ нэсу щытыжкъым. Аращи, ноби солъыхъуэ си цIыкIухэм анэдэлъхубзэр фIыуэ зарезгъэлъагъун Iэмалхэм. ИУАН Маринэ, Али-Бэрдыкъуэ къуажэ курыт школым и егъэджакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25926.txt" }
ТиблэкIыгъи, тинепэрэ мафи зэрипхыгъ Зиакъыл инкIэ лъэпкъым пэIутэу, ащ щыIэкIэшIу иIэным кIэгуIэу, зимафэ, зиилъэс пэпчъ ащ тезгъэкIуадэу щыIагъэр, кIэн-лэжьыгъэ къэзгъэнагъэр, зигупшысэкIэ, зишIэныгъэкIэ цIыфхэм къахэнагъэр хэтми насыпышIу — ыцIэ ныбжьырэу лъэпкъым къыготыщт, ыIэтыщт, щыгъупшэщтэп. КIэрэщэ Тембот Джащ фэдэ зырыз дэдэхэу хэмыкIокIэжьыщт лъэгъошIу къэзгъэнагъэхэм, лIэшIэгъум зэ къэхъухэрэм ащыщ титхэкIошхоу КIэрэщэ Тембот Мыхьамэт ыкъор. Итхылъ пэпчъ — лъэпкъ гупшыс, лъэпкъ акъыл, лъэпкъ намыс — литературнэ саугъэт гъэчъыгъ. ТхакIом къыгъэшIэгъэ илъэс 85-м щыщэу 60-м къехъур тхэн-гупшысэным, илъэпкъ егъэшIэрэ гушъхьэгъомылэр гущыIэм ишъошэ анахь лъагэкIэ, гулъытэм ищэчэлъэ анахь инкIэ фызэIугъэкIэгъэным тыригъэкIодагъ. ФэлъэкIыщтымкIэ КIэрэщэ Тембот къогъанэ ышIыгъэп: усагъэ, лъэпкъ фольклорым иугъоекIол-ушэтэкIуагъ, шIэныгъэ хьасэм хэтыгъ, иIахьэ ылэжьыгъ, лъэпкъ журналистикэм апэрэ лъэбэкъухэр фыхихыгъ, апэрэ адыгэ лъэпкъ гъэзетэу «Адыгэ макъэр» Тембот усэ-гимн зэдзэкIыгъэу, политикэ мэхьанэ ин зиIэ «ИнтернационалымкIэ» гъогу тырищагъ ыкIи илъэс 90-м къеблэгъагъэу гъэзетыр ащ рэкIо. Адыгабзэр зылэжьыгъэр зытIокIэ, апэрэу шъхьэм къихьэрэр, тэ, непэ адыгабзэм рылажьэхэу, ащ Iоф дэзышIэхэрэм, адыгэ литературэм иапэрэ лъэпсэгъэуцоу, илIэшIэгъу ицIыф мафэу, ицIыф зафэу, адыгэ гупшысэр, адыгабзэр зыгъэбэгъуагъэу, зыгъэиныгъэу, ыбзэ лъэш IэшIукIэ зыгъэкIэрэкIагъэу,тиблэкIыгъи, тинепэрэ мафи адыгабзэмкIэ зэзыпхыгъэу КIэрэщэ Тембот ары. Апэрэ адыгэ романэу лъэпкъ литературэм къыхэхьагъэм «Насыпым игъогу» Тембот цIэу зэрэфишIыгъэри аукъодыеу, ичыжьэрыплъагъэкIэ КIэращэм лIэшIэгъухэм апхырыкIыщтыгъ, изэчый ялыекIэ, иIэпэIэсэныгъэкIэ а зэкIэ зэфищэзэ, хъупхъэ иным ригъэуцощтыгъ. Адыгэ лъэпкъым шIоу хэлъыгъэ пстэур зэрэщылэжьэщтым, зэриухъумэщтым, зэраригъэшIэщтым тегъэпсыхьагъэу тхакIор мы чIым къызэрэтехъуагъэм щэч хэлъэп. КIэрэщэ Тембот бэ зылъэгъоу, зэхэзыхэу, зэхэзыфэу, зыщэчэу, зыпщыжьэу пстэури ыкIи зэхэзыпшэжьырэ IэпэIэсэшхуагъ, джары цIыфыгухэм зыкIалъыIэсыгъэр, непэрэ мафэхэми зыкIанэсы-рэр. Лъэпкъ гупшысэр ыпсыхьагъ. ИпроизведениехэмкIэ зэкIэ адыгэм фэгъэхьыгъэр — итарихъ, ыбзэ, ишэн-хабзэ кIэзыгъэнчъэу ыухъумагъ, художественнэ шъошэ хэхыгъэм ригъэуцуагъ, адыгабзэр зэрэщытэу итворчествэкIэ ыгъэчъыгъ. Адыгабзэр зымышIэрэм е зэзгъашIэмэ зышIоигъом къырерэгъажь Тембот итхыгъэхэмкIэ, къэущыщт джащыгъум, илъэпкъ шъхьалъытэжьи къэнэфэщт. Адыгэм иблэкIыгъэ, икъэкIощти КIэрэщэ Тембот ирассказхэм, повестхэм, романхэм къащыриIотыкIыгъ, лIэшIэгъухэр зэфищэнхэр, цIыф лъэпкъхэр зэригъэшIэнхэр, зэгуригъэIонхэр итворческэ кIочIэ лъэшкIэ фызэшIокIыгъ. ТхэкIошхом итхыгъэхэр хэти къытлъэIэсых, зыкъытагъэгъоты, тагъэгушхо. Ахэм шIур ахэпхъагъ, адыгэм идэгъугъэ, идэхагъэ гъуни-нэзи имыIэу ащыгъэунэфыгъ. Адыгэр дунаим шIур ыпхъынэу, щысэтехыпIэу къызэрэтехъуагъэр тхэкIошхом тшIошъ ыгъэхъузэ, ежь адыгэ лъэпкъыри сыдигъуи, тыдэрэ чIыпIи зыщыфэсакъыжьын, зыдэплъыхыжьын фаеу ешIы. ТхэкIо цIэрыIоу, СССР-м и Къэралыгъо премие илауреатэу, Адыгэ Республикэм инароднэ тхакIоу КIэрэщэ Тембот адыгэ лъэпкъыр къызэригъэлъэгъуагъэр, дышъэ хъупкъэу зэригъэуцугъэр зэрэмыушъокущтым, зэрэмыухъэфыщтым хэти зэрэтлъэкIэу тынаIэ тедгъэтыныр, Iоф дэтшIэныр, тыдэулэуныр — зэдытипшъэрылъ. Джащыгъум тиадыгабзи иныщт, лъэшыщт. БЛАШЭ Нэфын.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25934.txt" }
Къэрал гулъытэ хуэныкъуэщ ЦIыхум и бзэр и гъащIэм ещхьщ. ГъащIэ кIыхьу, гуащIафIэу дунейм дытетын папщIэ, дызыхуэсакъыжу, щIыIэм зыщытхъумэу, дэмызэгъын шхыныгъуэ зыIудмылъхьэу, ди Iэпкълъэпкъми ди акъылми зедгъэужьу дыкъэгъуэгурыкIуэн хуейщ. ТIурылъ бзэми гъащIэ щиIэнур ар мылъку нэхъыщхьэу зритахэм яхъумэжыну, зрагъэужьыну хущIэкъумэщ. Абы щхьэкIэ бзэм лъэпкъыр ирипсалъэу, иджу, ефIэкIуа зэрыхъунум и хэкIыпIэхэр къилъыхъуэ зэпыту щытын хуейщ. А Iуэхур нэхъ тыншщ, бзэр зезыхьэ лъэпкъыр цIыху бжыгъэкIэ куэд хъурэ абыкIэ къэрал Iуэхухэр зекIуэу щытмэ. ЦIыху бжыгъэкIэ мащIэрэ, я бзэмкIи къэрал Iуэху земыкIуэу, ауэ зэрылъэпкъым и нэщэнэ нэхъыщхьэу лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуа бзэр хъумэн хуеймэ-щэ? Мыбдеж хэкIыпIэ къэбгъуэтыну нэхъ гугъущ, ауэ нэхъ ерыщу абы ущылъыхъуэн хуейри абы щыгъуэщ. ХьэцIыкIу Рае Сымаджэ хъуа цIыхум дохутыр зрегъэIэзэ, и хущхъуэгъуэ зыхэлъыр къегъуэтри зрехьэлIэ. Иджыпсту сымаджэщ адыгэбзэр. Фагъуэщ, жьы хурикъуркъым, зыIурылъын хуея лъэпкъыр дуней псом щикъухьарэ хамэбзэкIэ псалъэ хъуащи, зыщIэри ирипсэлъэну щIэхъуэпсыркъыми. Къару мащIэщ, пкъылIэщ, куууэ зыджын игъуэтыркъыми. Хущхъуэгъуэр дэнэ щыIэу пIэрэ? Лъэныкъуэ псомкIи хущхъуэ мыхъуми, сэбэпынагъышхуэ къызыпыкIын Iэмал Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэщ. Ар ШэджыхьэщIэ Марие къихутэу «Псалъэ къэхъукIэм и инвариант» зыфIища, абы къыпкърыкIыжа структурнэ щIэныпхъэрщ. Адыгэбзэр нэсу зэгъэщIэным е зэгъэщIэжыным, адыгэ гупсысэкIэр зэфIэувэным, къэухьым зиужьыным лъабжьэ хуэхъуфынщ ШэджыхьэщIэм и къэхутэныгъэр. Ди анэдэлъхубзэр фIыуэ зыщIэрщ адыгэ гъащIэм езым и увыпIэ щызыIыгъыжынур. Аращ адыгэ цIыхур лъэпкъым къыдэ-гъуэгурыкIуа хабзэм зэрыщыгъуэзэнур, зызыужьа лъэпкъ щэнхабзэм, литературэм хэша зэрыхъунур. Я бзэр яджыжкIэрэщ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ цIыхугъэ лъагэр, зэхэщIыкI куур дэтхэнэми къызэрищтэр, гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр тэмэму къагурыIуэу, Iуэхум хуэкIуэ псэлъэкIэ нэгъэсакIэ тепсэлъыхьыфу гъэса зэрыхъур. Структурнэ щIэныпхъэр тегъэщIапIэ хъунущ ди сабийхэм къыдалъхуа бзэм пщIэ хуащIу, ар лъэпкъ щэнхабзэм щыщ зы Iыхьэу, адыгэ лъэпкъыр зэкъуэзыгъэт бзэуэ зэрыщытыр къагурыIуэу, адыгэбзэм и дахагъымрэ къулеягъымрэ псэкIэ зыхащIэу гъэсэнымкIэ. А щIэныпхъэм еубзыху псэлъэкIэм и тэмэмагъым — жьабзэкIи тхыбзэкIи я ныбжьым елъытауэ мыхьэнэшхуэ зиIэу къалъытэ Iуэхухэм бзэ шэрыуэкIэ тепсэлъыхьыфу, зыхэт гупымрэ Iуэху екIуэкIымрэ елъытауэ я гупсысэр зэхэщIыкIыгъуэу къаIуэтэфу егъэхьэзыр. Апхуэдэу къыщIэхъур сабийхэм къагъэсэбэпын псалъэ хуиту ягъуэту я бзэр къулей зэрищIырщ. Инвариантыр толажьэ бзэм теухуа щIэныгъэ щIэблэм яIэным. Абы къикIыр а бзэм и зэхэлъыкIэм (макъхэм, псалъэхэм, псалъэухахэм), зыужьыкIэм, лэжьэкIэм, бзэм и кIуэцIкIэ къыщыхъу Iуэхугъуэхэм ахэр щыгъуазэ зэрищIырщ. ПсалъэщIэ къыщыхъукIэщ бзэм и кIуэцIкIэ зекIуэ хабзэхэр щылажьэр. Зи гугъу сщIы егъэджэкIэм нэхъыщхьэу хэлъыр псэлъэкIэми тхэкIэми хуэгъэсэным псалъэ къэхъукIэр и лъабжьэу зэрыщытырщ. Псалъэм и къэхъукIэр къахутэкIэрэ и тхыкIэри, мыхьэнэри, къэгъэсэбэпыкIэри нэрылъагъуу, сабийм къагурыIуэу егъэлажьэ. А лэжьэкIэр IуэхугъуиплIу зэхэту, сыт хуэдэ псалъэ къэхъукIэ лъэпкъыгъуэми (типми) щылажьэу авторым зэтриублащ: къызытекI псалъэр — къызэрытекI аффиксыр — псалъэщIэр — псалъэщIэм и лексическэ мыхьэнэр. Дэтхэнэ бзэми и кIуэцIкIэ псалъэхэр гуп-гуп (лъэпкъыгъуэ) щызэрогъэхъу, зэхуэдэу яхэлъ мыхьэнэ елъытауэ. Псалъэм папщIэ, префикс те— зыпыувэ глаголхэм ягъуэт «лэжьыгъэр зыгуэрым и щIыIум, и щхьэфэм щылэжьын» мыхьэнэ. Ар къэгъэлъэгъуа зэрыхъур мыпхуэдэущ: дыжэн — те+дыжэн = тедыжэн — «зыгуэрым и щIыIум зыгуэр тедэн»; тхэн — те+тхэн = тетхэн — «лъэужь къэзыгъанэ гуэркIэ (къэрэндащ, ручкэ н.къ.) зыгуэрым и щIыIу зыгуэр къыщитхъэн». ПсалъэщIэ къызытекIыну псалъэхэр иIэмэ, сабийр тегушхуауэ мэлажьэ: дэн, диин, дыжэн, джэлэн, джэрэзын, бгъэн, блэн, гъэбыдэн, гъэжьэн, гъэкIэрэхъуэн, ин, жэбзэн, жеин, зэгъэн, къузын, лыдын, лъагъун, н.къ. Зэхуэдэ лексическэ мыхьэнэ яIэу зы лъэпкъыгъуэм къызэщIиубыдэ псалъэхэмкIэ я бзэр къулей зэрыхъум и гъусэу, а псалъэ гупым я зэхуэдэ нэщэнэхэр, тхыкIэмрэ къэгъэсэбэпыкIэмрэ хэлъ щэхухэр наIуэ къохъу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ цIыкIухэм къэхутэныгъэ лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIыф, бзэ щIэныгъэм хэша мэхъу, щIэныгъэр зи лъабжьэ логическэ гупсысэкIэ ягъуэт. Нэрылъагъу ящохъу пэжырытхэм и хабзэхэр бзэм и ухуэкIэм, лэжьэкIэм къыпкърыкIыжу зэрыщытыр. ПсалъэщIэ къэгъэхъуным пыщIауэ гурыIуэгъуэ ящохъу «къызытекI псалъэр е псалъэпкъыр», «псалъэ зэлъабжьэгъу», «макъхэр хъуэжыныгъэ», «псалъэпкъым и кIэм щыт макъыр пыхун», «зэпэщIэзых нагъыщэ», «зэзыпх нагъыщэ», нэрылъагъуу псалъэм и къэхъуныгъэм хэлэжьыхь аффиксхэм нэмыщI, «нулевой интерфикс», «нулевой суффикс» жыхуэтIэхэр. А псом гу щылъатэр, я нэгу щыщIэкIыр лъабжьитI зэхыхьэу псалъэ зэхэлъ къыщагъэхъукIэщ, префикскIэ, суффикскIэ, префиксрэ суффиксрэ зэгъусэу, лъабжьитI зэхыхьэм префикс, суффикс хыхьэжурэ къэхъу псалъэхэм щыкIэлъыплъкIэщ. ПсалъэщIэ къэхъур къэгъэсэбэпыным пыщIа лэжьыгъэу мэув ахэр псалъэ зэпхам, псалъэуха зэмылIэужьыгъуэхэм хэгъэувэныр, къэIуэтэныгъэ зэпхам къыщыгъэсэбэпыныр. Мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийр къыпэщыт къалэным зэрыпэлъэщынур и фIэщ хъуным. Апхуэдэу ШэджыхьэщIэм и щIэныпхъэмкIэ еджэ цIыкIухэм, псалъэ къэхъукIэм и хабзэм къыпкърыкIа IуэхугъуиплIым зэ есэмэ, адэкIэ хьэкъ ящохъу сыт хуэдэ къэхъуныгъэми и Iэмалыр зэращIэр, къапэщылъ лэжьыгъэр ехъулIэныгъэ яIэу зэрагъэзэщIэнур. Псалъэр и мыхьэнэм техуэу къигъэсэбэпу сабийр егъэсэныр фIыгъуэшхуэщ, сыту жыпIэмэ абы щыгъуэ хэт жиIэри тэмэму къыгурыIуэнущ, зыхуейри жиIэфрэ зызыхуигъэзахэми езыр зэхащIыкIыу псэунущ. Дэтхэнэ бзэми и джыным ехъулIэныгъэ ущиIэнур езы бзэм хэлъыж хабзэмрэ иIэ щытыкIэмрэ елъытауэ егъэджэкIэр убзыхуамэщ, сыту жыпIэмэ абы щыгъуэщ ирагъаджэхэм бзэм хьэлэмэтагъ гуэр щыхалъагъуэр, щIэныгъэ нэс щагъуэтыр. Бзэм щызекIуэ хабзэхэм я гъэщIэгъуэнагъым гу лъызыта сабийм ар псэкIэ зыхещIэ, абы къыхэкIыуи фIыуэ елъагъу, пэгъунэгъу дыдэ мэхъу. Анэдэлъхубзэр зыдэпсэухэм зэрагурыIуэ бзэуэ зэрыщытым и мызакъуэу, а бзэм и тхыдэ, и хабзэ, адрей бзэ псоми ящхь щытыкIэ гуэрхэри, адрей бзэ псоми къащхьэщызыгъэкI щэху куэди хэлъу къэзыхута сабийр и бзэм иригушхуэнущ, нэхъ куууэ ищIэным щIэхъуэпсынущ. ШэджыхьэщIэм и щIэныпхъэр щIэгъэкъуэнышхуэ хъунущ зи бзэр зэзыгъэщIэжыну мурад зыщIа балигъым дежкIэ, ар Къэбэрдей-Балъкъэрым исми, хамэ къэрал щыпсэуми. Псалъэм папщIэ, «дэн» псалъэм и лексическэ мыхьэнэр къызыгурыIуа цIыхум абы префикс те-, Iу-, гуэ-, фIэ, щIэ-хэр щыпыувэм мыхьэнэм зэрызихъуэжыр къызэрыгурыIуэн щIэныпхъэ убзыхуныр гугъужкъым. ШэджыхьэщIэм и къэхутэныгъэр къызэрысэбэпыну лъэныкъуэ псоми дытемыпсэлъыхьми, ди бзэр джыным, хъумэжыным ар тегъэлэжьэн зэрыхуейм, сабийми балигъми я псэлъэкIэм зиужьынымкIэ IэмалыфIу зэрыщытым шэч хэлъкъым. А фIэщхъуныгъэр аращ Налшык дэт БизнесымкIэ институтым и ректор Хъурей Феликс и лIыгъэрэ мылъкурэ хилъхьэу Бзэхэр джынымкIэ щIэныпхъэ щаубзыху институт къызэIуезыгъэхар. Лэжьыгъэр зэтеубла зэрыхъурэ куэд дыдэ мыщIами, Iуэху щхьэпэ зэрыпэрытыр зи фIэщ хъуж гупым лэжьыгъэфI кърахьэлIащ. УрысыбзэкIи адыгэбзэкIи тхылъ хьэлэмэтхэр къыдэкIащ егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр нэхъ щIэщыгъуэ, купщIафIэ ищIыну. УрысыбзэкIэ къыдэкIахэр зэхэлъхьащ егъэджакIуэм сыт хуэдэ егъэджэкIэ къигъэсэбэпми, щIэгъэкъуэн хуэхъуну. «Адыгэ псалъэ» зыфIэтща учебно-методическэ пособиехэр (2-нэ, 5 — 7-нэ классхэм ейщ) зыхуэгъэзар структурнэ щIэныпхъэр адыгэбзэр джыным къызэрыщезэгъыр къэзыпщытэну хуей егъэджакIуэхэрщ. Псом япэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ адыгэбзэм теухуауэ сабийм яджыпхъэу щыIэ программэм къызэщIиубыдэр пособиеми зэрыхэтыр. Iуэхур щIэщыгъуэ зыщIыр ар зэраджынур сабийр дэзыхьэхын бгъэдыхьэкIэу зэрыщытырщ. А бгъэдыхьэкIэм къызэрегъэпэщ программэр къызэщIиубыдэм и мызакъуэу, нэхъыбэжи еджакIуэхэм къащIэн хуэдэу, абы щыгъуэми иримыгъэзэшу, хьэлъэ къащымыхъуу, бзэр егъэджыныр. Иджырей сабийр дэпхьэхыу Iуэху гуэрым епшэлIэн папщIэ быдэу и фIэщ пхуэщIын хуейщ а Iуэхум езым и сэбэп зэрыхэлъыр, ар игъэзащIэмэ, къехъулIэмэ, зы лъэныкъуэ гуэркIэ ифI къызэрыхэкIынур. Апхуэдэ фIэщхъуныгъэ сабийм хэзылъхьэфынур гурэ псэкIэ зи къалэным бгъэдэт, лъэпкъым и къэкIуэнум тегузэвыхь егъэджакIуэщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, щIэныпхъэ дурдыл къахутэми, ар Iуэхум и щIылъэныкъуэ къудейщ. Адрей щIылъэныкъуэр къыщыгуэувэнур а щIэныпхъэр егъэджакIуэ нэсым щыIэщIэлъым дежщ. Тхылъым итым утемыкIыу урикIуэми, ар сабийм щIэныгъэ езытын лэжьыгъэкъым. ЕгъэджакIуэм зэхигъэкIын хуейщ а тхылъыр апхуэдэу зэхэлъхьа щIэхъуар, абы зыхуишэн хуейр, зытхахэм и пащхьэм къралъхьам емыщхьу иджыри а Iуэху бгъэдыхьэкIэм къыхэпщIыкI хъунур. Абы щыгъуэм щIэныпхъэр езы егъэджакIуэм ей мэхъу, лэжьыгъэр зэрекIуэкIынум и тхыпхъэр езым зэхелъхьэж, къыщIидзын хуейуэ зыщыгугъыр наIуэу и нэгу щIэтщ. КъыжыIэпхъэщ апхуэдэ егъэджакIуэ нэсхэр дызэриIэр, ауэ ахэр къызэрыдэмэщIэкIыр. Ди бзэр дэхуэха зэрыхъуам ари зы щхьэусыгъуэу хэтщ. ЕгъэджакIуэфI ухъун папщIэ, структурнэ щIэныпхъэмкIэ Iэмал имыIэу егъэджэн хуейщ жысIэркъым, хэти езым и бгъэдыхьэкIэ иIэжынкIэ хъунщ, ауэ лъэпкъыбзэм хуегъэджэныр лъэпкъ Iуэхуу къэзымылъытэр, дерсхэр и псэр химылъхьэу иригъэкIуэкIрэ иуха нэужь пIащIэу еджапIэм дэкIыжыр сабийхэм я дежкIэ щапхъэкъым, еджэным дезыгъэхьэхкъым. Сыт хуэдэ фIыщIэри яхуэфащэщ я IэмыщIэ къихуа сабийхэм адыгэ дуней яхуэзыухуэф егъэджакIуэхэм. Аращи, ди анэбзэм и лъэр быдэу увыжу и лъагапIэр игъуэтыжын папщIэ зэхыхьэн хуейщ Iуэхугъуищ: адыгэпсэ зыIут егъэджакIуэ, егъэджэкIэ щIэщыгъуэ, къэралым и гулъытэ. Мис апхуэдэ гупсысэкIэм дынэсмэ, хьет жедгъэIэу дыпсэунущ лъэпкъыр. ХЬЭЦIЫКIУ Рае, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, Бзэхэр джынымкIэ щIэныпхъэ щаубзыху институтым и унафэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25989.txt" }
Ураныбжьщ къуршхэм АдыгэбзэкIэ «псалъэм» Псэр зэрылъ жиIэу къокI — Абы и пщIэр псэм хуэдэу Хъумэн хуейуэ къыщIокI. Ацкъан Руслан Зи бзэр зыфIэмыIэфIрэ зыфIэмыдахэу мы дунейм зы лъэпкъи тету къыщIэкIынкъым. Анэдэлъхубзэр лъэпкъым игущ, и псэщ, зэрылъэпкъыр зыгъэбелджылы нэщэнэщ. Псоми дощIэ дыгъуасэ къагъэщIа лъэпкъыбзэ зэрыщымыIэр. Апхуэдэщ ди адыгэбзэри. Абы и къежьапIэр апхуэдизкIэ куущ, жыжьэщи, абы теухуауэ къапщытари, къахутари чэнжщ. Хьэрэдурэ Аллэ Урыс педагогикэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Ушинский Константин тэмэму гу зэрылъитэгъащи, «уи бзэр зэи мыужьыхыж бзийм хуэдэщ». Уи бзэр уи дыгъуасэмрэ уи нобэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжщ. Уи нобэр уи пщэдейм хуэзышэ гъуэгуанэщ. А гъуэгуанэр гъэнщIащ, узэщIащ уи лъэпкъым и акъыл нэхумкIэ, и псэ дахагъэмкIэ, хабзэ щхьэпэ къыдекIуэкIхэмкIэ. АтIэ, дэ, нобэ а бзэр зыIурылъхэм, сыт хэтлъхьэфыну абы зиужьын, къэкIуэну зэманым хэмыкIуэдэжын папщIэ. Сэ сызэреплъымкIэ, бзэр мыкIуэдыжын щхьэкIэ нэхъыщхьэр абы урипсэлъэнырщ. АбыкIэ жысIэну сызыхуейр, адыгэбзэр жьэгу пащхьэхэм дэлъыным и мызакъуэу, утыкушхуэхэми къыщагъэсэбэпын, жаIэу къэнэж мыхъуу, ирилэжьэн зэрыхуейрщ. Дунейр къызэригъэщIрэ цIыхум и зыузэщIыныгъэр къыщежьэр къыдалъхуа бзэращ — анэм и бзэращ. ЦIыхум и бзэращ и япэ егъэджакIуэ Iущри, и узэщIакIуэри. Уи анэдэлъхубзэм къыхэпхыфынум хуэдиз акъыл зы егъэджакIуэми къыббгъэдилъхьэфынукъым. Уи бзэр пхъумэныр, ар нэхъ къулей пщIыныр, абы зебгъэузэщIыныр, ухуэIэкIуэлъакIуэу ар дэнэ дежи къыщыбгъэсэбэпыныр уи щхьэ закъуэ Iуэхукъым — уи лъэпкъ, къэрал Iуэхущ: зи бзэ зимыIэж лъэпкъыр лъэпкъыжкъым. Лъэпкъым и лъэпкъыгъэр щыфIэкIуэдкIэ, къэралри зы лъэпкъкIэ нэхъ къулейсыз мэхъу. Апхуэдэ къулейсызыгъэ къытщыщIащ. Адыгэхэр зы лъэпкъкIэ нэхъ мащIэ хъуащ Урыс-Кавказ зауэм и зэранкIэ — зэман гущIэгъуншэм IэщIэкIуэдащ илъэс мин зыбжанэ зи ныбжь бгырыс лъэпкъ мащIэм щыщ убыххэр. Лъэпкъ насыпыншэм и щхьэ кърикIуа гукъутэгъуэм и тхыдэщ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романыр «Зи быдзышэ уефа уи анэм и бзэр пщыгъупщэжынукъым, Шэрахъ, ар, хэт жиIэми, уи фIэщ умыщI. Уи анэр пщыгъупщэжын — апхуэдэщ, ар пхузэфIэмыкIынщ. Убыхыбзэр къыздалъхуат, сызэрысабий лъандэрэ сIурылът ар, дэнэкIи щызэхэсхырт — ди уни, ди хьэбли, жылэм сыхыхьэми, — ар дауэ сщыгъупщэжынт? Дыгъуасэ къызжепIащ Тыркуми, Сириеми, нэгъуэщI хэкухэми сэр фIэкIа убыхыбзэр зыщIэж ущримыхьэлIауэ, Къэукъаси, убыххэм я лъахэм, а бзэм ирипсалъэ имысыжу къызжепIащ. Убыхыбзэр кIуэдыжауэ, ар афIэкIа дунейм темытыжу къызжепIэну ара? Арами, ар си фIэщ хъунукъым. Хьэуэ, си щIалэ, бзэр лъэужьыншэу кIуэдыжыркъым, апхуэдэу къыпщыхъуми. Анэдэлъхубзэр уи лъым хэтщ, уилъми и закъуэкъым. Анэдэлъхубзэм иропсалъэ дэ къызэднэкIа псыхъуэр, жыгей гуэрэнхэр, ди адэжьхэм я кхъащхьэхэр. Убыххэм я лъахэм къидна псынэхэр, жыгхэр, псэущхьэхэр си анэдэлъхубзэмкIэ ноби зопсалъэ, ар хьэкъыу си фIэщ мэхъу сэ! А бзэр кIуэдыжакъым!» Хьэкъыу пхыкIауэ дэтхэнэ зы цIыхуми и фIэщ хъун хуейщ бзэр кIуэдыным нэхъ гузэвэгъуэ дунейм къыщыхъункIэ зэрымыхъунур. Аращ, бзэр кIуэдмэ — лъэпкъри мэкIуэд. И бзэр Iухущ лъэпкъри зэрыпсэур, зи бзэр кIуэдыжа лъэпкъыр езыри щыIэжкъым. Адрей лъэпкъ мащIэхэми хуэдэу, адыгэхэми къалэнышхуэ къытпэщытщ ди бзэр тхъумэжыным, убыххэм я махуэр къытхуэмыкIуэным теухуауэ. Ауэ щыхъукIэ, хьэкъыр зыщ — нобэ дэ пхытшыну лъагъуэм куэдкIэ елъытащ пщэдей дызытеувэну гъуэгур, ди бзэм елъытауэ дэ длэжьырщ щIэблэми гъуазэу яIэнур. АдыгэбзэкIэ жыпIам къызэщIикъуэ псор нэгъуэщIыбзэкIэ нэгъэсауэ зэбдзэкIыныр икъукIэ гугъущ. Шэч зыхэмылъыжырщи, — адыгэбзэр дахэщ, лантIэщ, купщIафIэщ, гугъэпсэхущ. ИкIи ар къарууншэу, гупсысэ инхэр кърипIуэтэным хуэмыщIауэ къызыщыхъу дэтхэнэри щоуэ. ЩыIэщ адыгэбзэ зымыщIэххэу адыгэу зызыбжыж куэд. Абыхэм зеплъыта нэужьщ, адыгэбзэр пщIэныр зэрынасыпышхуэр къыщыбгурыIуэр. Унагъуэм адыгэбзэр илъмэ, абыкIэ зэпсэлъэныр хабзэ щыхъуамэ, сабийм ар къимыщтэныр Iэмал зимыIэщ. Абы и зэхэлъыкIэмрэ и зегъэкIуэкIэмрэ хэлъ щэхухэр къищIэу и бзэр хуэкъута мыхъункIэ Iэмал иIэкъым. Аращ и «IункIыбзэIухыр», бзэ гуэр зэбгъэщIэнумэ. Куэд тежыпIыхьыфынущ адыгэбзэмрэ абы и къэкIуэнумрэ. Ауэ: «Сыт щIэн хуейр а Iуэхур дэкIын папщIэ?» — жыхуиIэ упщIэм и жэуапу си еплъыкIэ гуэрхэр къэсIуэтэнут. Нэхъапэу къызолъытэ ищхьэкIэ зи гугъу сщIа Iуэхугъуэхэр. ЕтIуанэу, адыгэбзэр, къэралыбзэр пэжмэ, ар къыщагъэсэбэп, щызекIуэ щIыпIэхэр, IуэхущIапIэхэр къыхэхауэ зегъэужьын хуейщ. КъищынэмыщIауэ, газет, тхылъ, журнал нэхъыбэу адыгэбзэкIэ къыдэгъэкIын хуейщ. Абы ди цIыхур адыгэбзэкIэ нэхъ шэрыуэу псалъэу ищIынущ. «Узэгугъур къогугъуж», — жеIэ адыгэ псалъэжьым, аращ анэдэлъхубзэри — уегугъумэ, урилажьэмэ, тэмэму ухущытмэ, абы зиужьынущ, нэхъри ефIэкIуэнущ, нэхъ къулей, шэрыуэ хъунущ. Щэху-нахуэми ди зэманым цIыхухэм жаIэу зэхыбох: «Адыгэбзэр къулейсызщ, къарууншэщ, ар бджыуэ зэман щIэбгъэкIуэдын щыIэкъым, ар дэ къытхуэсэбэпынукъым». Анэдэлъхубзэр къэмысэбэпыну, абы зегъэужьынми мыхьэнэ имыIэу къэзылъытэхэр цIыху «къулейуэ» жыпIэ хъунукъым. Апхуэдэхэм къащохъу езыхэм я мыхъумыщIагъэр адыгэбзэм тралъхьэкIэрэ ар щIамыщIэмкIэ бзэр «ягъэкъэншэжыну». Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэм нэмыщI, адыгэбзэр хъумэнымкIэ, абы зегъэужьынымкIэ къалэнышхуэ зи пщэ къыдэхуэхэм ящыщщ ди лъэпкъ щэнхабзэри. Уи бзэм пщIэ хуэпщIу, абыкIэ уи лъэпкъ хабзэхэр, щэнхабзэр зепхьэу зылъагъу щIэблэм я анэдэлъхубзэр зыщагъэгъупщэныр щыгъэтауэ, езыхэри хущIэкъунущ уэ къызэрыбдэплъеиным. Апхуэдэу щыщыткIэ, а Iуэхум гулъытэшхуэ щыхуэщIыпхъэщ сабий садхэм, пэщIэдзэ классхэм. ЩIэблэм нэхъыфIу щапхъэу къищтэр жепIэракъым — ебгъэлъагъуращ. Я бзэр фIыуэ ялъагъуным, ар яджыным гукъыдэж хуаIэн папщIэ, сабийхэми студентхэми я нэгу щIэгъэкIын хуейщ къыдалъхуа бзэм лъэпкъым, къэралым я пащхьэм пщIэ зэрыщиIэр, адрей бзэхэм закъыкIэримыгъэхуу, ар зэрылажьэр. Ураныбжьщ къуршхэм, си адыгэбзэ, Инжыдж толъкъуну узэхызох. ФIылъагъуныгъэм урихъуэрыбзэщ, Макъамэу бзэхэм уакъыхызох. Хъан-Джэрий ноби къыбжеIэ шыпсэ, Къызоущие нарт Сэтэней, ПащIэ Бэчмырзэ къысхуоджэ усэ, Си адыгэбзэр тетщи дунейм. Зи гугъу тщIа къалэнхэри, бзэм ихъумэу наIуэ къэмыхъуа щэхухэри къызыпэщылъыр дэращ, щIэблэращи, дызэрыпэлъэщын акъылрэ щIэныгъэрэ, зэфIэкIрэ къарурэ Тхьэм къыдит! Хьэрэдурэ Аллэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25993.txt" }
Лъабжьэ ДригушыIэмэ, дригупсысэмэ, Ди адыгэбзэм псэщIэ еттынщ. Дривгъэпсалъэмэ, дривгъэусэмэ, Ридадэ и бзэр мыкIуэдыжынщ. Зи тхыдэр жыжьэ къыщежьэ, ди япэ итахэм къытхуагъэна хъугъуэфIыгъуэхэм я нэхъ лъапIэ, къуалэбзууэ зэщIэжьыуэ адыгэбзэ гъуэзэджэм и щэхухэм еджакIуэхэр щыгъуазэ яхуэзыщIыр анэдэлъхубзэмрэ адыгэ хабзэ-нэмысымрэ зи псэм, зи гъащIэм, зи дуней тетыкIэм екIуу хэухуэна егъэджакIуэхэрщ. Адыгэбзэм и къэкIуэнум игъэгумэщI, сабийхэр абы тэмэму ирипсэлъэфу, иритхэфу егъэсэным я къару емыблэжу телажьэ цIыхущ Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №2-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Темрокъуэ (Щокъал) Ларисэ АмитIон и пхъур. Темрокъуэ Ларисэ Хабзэ дахэ зыдэлъ ХьэпцIей къуажэм къыщалъхуа пщащэ цIыкIум егъэджакIуэ IэщIагъэм пасэу гу хуищIат. Налшык дэт педучилищэр къеухри, Ларисэ КъБКъУ-м тхыдэмрэ филологиемкIэ и факультетым и адыгэбзэ къудамэм 1981 гъэм щIотIысхьэ, а гъэ дыдэми къуажэм дэт курыт еджапIэм лэжьыгъэ IэнатIэм щыпэроувэ. Анэдэлъхубзэмрэ сабийхэмрэ фIыуэ зылъагъу егъэджакIуэм и дерсхэм цIыкIухэр дихьэхырт. Урок къэс щIэщыгъуэ гуэр зэрыхилъхьэм, дэтхэнэ сабийми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къазэрыхуигъуэтым абы и лэжьыгъэр гъэщIэгъуэн ищIырт. Илъэс 20-м щIигъукIэ Ларисэ щылэжьащ ХьэпцIей дэт курыт школым. Абы и жэрдэмкIэ еджапIэм мызэ-мытIэу щекIуэкIащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэм я семинар. А зэхуэсхэм Ларисэ щита урок зэIухахэр егъэджакIуэ куэдым щапхъэ яхуэхъуащ. 2003 гъэм Тэрч районым щекIуэкIа «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэпеуэм Ларисэ дипломрэ саугъэт зыбжанэрэ къыщыхуагъэфэщащ. 2004 гъэ лъандэрэ Темрокъуэр Тэрч къалэ дэт курыт школ №2-м щолажьэ. Ларисэ сытым дежи хущIокъу и лэжьыгъэр гъэщIэгъуэну икIи щIэщыгъуэу къызэрызэригъэпэщыным. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ щIэблэм яригъэдж къудей мыхъуу, абы и урокхэм щызэхеухуанэ адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкIыу щыта хабзэхэр, ди тхыдэм и напэкIуэцIхэр. Абы и фIыгъэкIэ Ларисэ и дерсхэр сытым дежи удихьэхыу, купщIафIэу йокIуэкI. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм къыхыхьэ Iуэху зехьэкIэщIэхэр къищIэным хущIэкъу, лэжьыгъэ нэхъ гугъу дыдэми гушхуауэ зезыпщытыф егъэджакIуэм зэIущIэ гъэщIэгъуэн куэд къыщызэрегъэпэщ школым. Темрокъуэр и унафэщIщ адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэм школым щаIэ методикэ зэгухьэныгъэ. Иджырей егъэджэныгъэ ухуэкIэм IэщIагъэлIхэм я пащхьэ къригъэувэхэм ящыщщ школакIуэхэм я гупсысэкIэм зезыгъэужь, я творческэ Iэзагъыр къызэкъуезыгъэх Iэмалхэр я лэжьыгъэм хэпщэныр. Апхуэдэ Iэмалхэр и лъабжьэущ Ларисэ и урокхэр зэриухуэр. Нэхъ зыубгъуауэ егъэджакIуэм къигъэсэбэпхэм ящыщщ зезыгъэужь технологиер, проектнэ методыр, къэхутэныгъэ лэжьыгъэр. Темрокъуэм и апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэм я сэбэпкIэ еджакIуэхэм я щIэныгъэм хэпщIыкIыу хохъуэ, я къэухьым, я гупсысэкIэм, нэхъыщхьэращи, лъэпкъ зэхэщIыкIым заужь. Абы щыхьэт тохъуэ абы и гъэсэнхэр жыджэру, щIэныгъэфIи къагъэлъагъуэу район, республикэ олимпиадэхэм зэрыхэтыр, пашэныгъи къызэрыщахьыр. И къалэн нэхъыщхьэхэм къадэкIуэу, Ларисэ сытым дежи и зэфIэкI щегъэлъагъуэ район семинархэм, зэхьэзэхуэхэм, егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм чэнджэщ щхьэпэ куэд ярет. И лэжьыгъэфIым папщIэ Темрокъуэ Ларисэ Тэрч щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм, администрацэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр къыхуагъэфэщащ. Зи бзэр дахэ, зи акъылыр нэху егъэджакIуэ щыпкъэ Ларисэ ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэу куэдрэ тхуэлэжьэну ди гуапэщ. ХЬЭГЪУР Светланэ, егъэджакIуэ-методист. Джылахъстэней хэку
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25997.txt" }
Адыгэбзэм хуэдэу дахэ щыIэкъым Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Ауэ ар зымылъытэ, абы пщIэ хуэзымыщI куэдым гъащIэм ущрохьэлIэ. Уахуозэ зи бзэкIэ мыпсэлъэжыфхэми, мытхэфхэми, уеблэмэ ар къызыгурымыIуэхэри щыIэщ. Апхуэдэхэр мымащIэу къытхэтщ адыгэхэми. АтIэ сыт абыхэм адыгэкIэ дыщIеджэр, сыт хуэдэ пыщIэныгъэ абыхэм ди лъэпкъым хуаIэр? Дэтхэнэ лъэпкъми и къэкIуэнур щIэблэращ икIи ар зыщыдмыгъэгъупщэу, сабийхэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ ящIэу къызэрыдгъэтэджыным дыхущIэкъун хуейщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм ящыщ куэдым я адыгэбзэр «йощIэкъуауэ». АтIэ сыт ар къызыхэкIыр? Псом япэрауэ, бзэм хуаIэ щытыкIэр къыщежьэр унагъуэращ. Адэ-анэхэм я нэхъыбэм я бынхэм хамэ къэралыбзэхэр ирагъащIэмэ нэхъ къащтэ. «Зэман тедгъэкIуадэу адыгэбзэр щIэдджынур сыт, дэ ар зыкIи сэбэп къытхуэхъунукъым», — жаIэ адэ-анэм я Iуэху еплъыкIэм щыгъуазэ сабийхэми. Абыхэм къагурыIуэркъым зи анэдэлъхубзэр зэзымыпэсыж цIыхур зэрыкъулейсызыр. Ди бзэм дытеукIытыхьыжмэ, дыкъызыхэкIа лъэпкъри догъэикIэ. Адыгэ лъэпкъыр дызэрыгушхуэ усакIуэшхуэ, тхакIуэ щэджащэ КIыщокъуэ Алим иIэщ мыпхуэдэ усэ сатырхэр: «Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу, урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым». УсакIуэр утыкушхуэ изышар и бзэм хуиIэ лъагъуныгъэрщ, абы кърит къарурщ и лъэ щIэзыгъэкIар. Еджагъэшхуэ куэдми къалъытэ, сабийм и акъылым, и зэхэщIыкIым зиужьыху и анэдэлъхубзэкIэ еджэныр нэхъ тэмэму. Бзэр яджыну зэрыхуэмейм и щхьэусыгъуэу куэдым жаIэ ар гугъуу, я гупсысэр къызэраIуэтэну псалъэхэр къахуэмыгъуэту. Укъэзылъхуам анэ быдзышэм хэту къыпIурилъхьа бзэм дауэ нэмыплъ зэрептынур?! ЯгъэлъапIэрти аращ адыгэхэр абы зыхуэбгъадэ мыхъун псалъэ дахэкIэ — анэдэлъхубзэкIэ — щIеджэр. Адыгэбзэм хуэдэу дахэ щыIэу къыщIэкIынкъым. А псалъэхэм я щыхьэтщ дуней псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэхэм ди бзэм хужаIэхэр. Къэтхьынщ зы щапхъэ. «А бзэм (адыгэбзэм) и макъ зэхэлъыкIэр апхуэдизкIэ телъыджэщ, плъыфэбэщи, жьыбгъэ фийр, пщIащэ пылъэлъыжам и щхъыщхъыр, псы уэрым и макъыр, щIым и бэуэкIэр, псыхъуэм хэлъ мывэхэр зэрызэнтIэIур, гу къеуэкIэм и даущыр, къуалэбзум я уэрэдыр, нэгъуэщI куэди зэхыбох абы ущыщIэдэIукIэ. Апхуэдэ макъамэ зэщIэжьыуэр къызэрыбгурыIуэнур зыщ: адыгэхэм я бзэр нэщIысащ дунейм и къэхъугъэ псори кърипIуэтэн хуэдэу. Аращ ар къызэрымыкIуэу зыгъэдэхэжри», — жиIэгъащ урыс бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэ Трубецкой Николай. Хамэ лъэпкъым къыхэкIахэм адыгэбзэм апхуэдэ псалъэ хэIэтыкIахэр щыхужаIэфкIэ, ар зи анэдэлъхубзэхэм абы мыхьэнэншафэ зэрыраплъыр, гугъуу къазэрыщыхъур лъабжьэншэщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ зи цIэ фIыкIэ Iуа лъэпкъхэм ящыщщ адыгэхэр. Зауэ-банэ инхэми, дэкъузэныгъэ хьэлъэхэми къыпхахри, нобэ къахьэсыфащ абыхэм я хабзэ дахэхэр, яхъумэфащ я анэдэлъхубзэр. Сабийм и анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъунымкIэ жэуаплыныгъэшхуэ я пщэ къыдохуэ лъэпкъыбзэр езыгъэджхэм. Дэ ди къалэнщ адыгэбзэ урокхэм сабийхэр щымызэшу, щIэщыгъуэу къызэдгъэпэщыну, абы къищынэмыщIауэ анэдэлъхубзэмкIэ классщIыб лэжьыгъэхэр едгъэкIуэкIыну. Лэскэн куейм адыгэбзэр щезыгъэджхэм анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр щIэблэм зыхегъэщIэнымкIэ тхузэфIэкI къэдгъанэркъым. Псом япэрауэ, егъэджакIуэхэр дыхущIокъу ди щIэныгъэм зэрыхэдгъэхъуэным, жыджэру дыхэтщ адыгэбзэм теухуа семинархэм, конференцхэм. Апхуэдэу ди тхакIуэхэм я юбилейхэм, адыгэ лъэпкъ махуэшхуэхэм ирихьэлIэу зэIущIэ хьэлэмэтхэр къызыдогъэпэщ. Сэ сызэреплъымкIэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ тхылъхэмрэ программэхэмрэ зэманым къезэгъкIэ зэхъуэкIын, егъэджакIуэхэр зэрылэжьэну методикэхэр нэхъыбэ щIын, нэрылъагъу пособиехэр адыгэбзэкIэ къыдэгъэкIын хуейщ, адыгэбзэкIэ традзэ тхылъхэр къалэ тыкуэнхэм я мызакъуэу, къуажэхэми яIэрыгъэхьапхъэщ. Гуапэ тщыхъуащ иужьрейуэ дунейм къытехьа «Адыгэ псалъэ» тхылъхэр. Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыжынымкIэ, хуащI гулъытэм хэгъэхъуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэм. Лъэпкъым и тхыдэм, и IуэрыIуатэм, и литературэм, и бзэм, и хабзэм щIэблэр дегъэхьэхынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ялэжь зэпеуэр езыгъэкIуэкIхэм. Ар республикэм и школ зэхуэмыдэхэм зэрыщекIуэкIар къытхуеIуэтэж «Адыгэ псалъэ» газетым. Ауэ абы урокхэм я екIуэкIыкIар псори къызэрызэщIимыубыдэфым къыхэкIыу, зэпеуэхэм щата урок зэIухахэм я план-конспектхэр, классщIыб лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIахэм я сценарийхэр иту газет щхьэхуэ е журнал къыдэкIатэмэ, ди Iуэхури нэхъ ефIэкIуэнут. ТАБЫХЪУ Ларисэ, егъэджакIуэ. Лэскэн щIыналъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "25999.txt" }
Нобэ 1990 гъэм Горбачев Михаил СССР-м и Президенту хахащ. 1995 гъэм Налшык экономико-правовой лицей къыщызэIуахащ. ТхакIуэ, литературовед, критик, зэдзэкIакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид и ныбжьыр илъэс 76-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 11 — 14, жэщым градуси 7 — 9 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26004.txt" }
Сэхъурокъуэ Хьэутий: Ди зэхуаку дэлъ пщIэмрэ дзыхьымрэ зэтедгъэувэжын хуейщ Ди газетым зэрытетащи («АП», мазаем и 27), «Кавказым щызэдэлажьэхэр» мыкоммерцэ дарэгъу организацэм и жэрдэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхьэщIащ эксперт-щхьэхуит, «Куржым и гугъапIэхэр» экономикэ программэм и унафэщI, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Гиорхелидзе Демур, Евразие институтым и лIыкIуэ, публицист Апхаидзе Шота, «Кавказым щызэдэлажьэхэр» мыкоммерцэ IуэхущIапIэм и унафэщI, Москва къалэм дунейпсо зэхущытыкIэхэмкIэ и къэрал институтым Кавказыр джынымкIэ и центрым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Силаев Николай сымэ. Куржы къэралыгъуэм и лIыкIуэхэр къызытекIухьар Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкI Iуэхухэр зрагъэщIэну, цIыхухэм я гупсысэкIэм зыщагъэгъуэзэну, езыхэм я Iуэху зытетыр гъунэгъу хэгъуэгухэм щыпсэухэм ирагъэщIэну арат. Ахэр КъБКъУ-м щаIущIащ егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щыIахэщ. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIа зэIущIэм хэтащ абы и унафэщI Тау Пщыкъан, абы и къуэдзэ Аттаев Жэмал, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ, «Вече» урыс щэнхабзэ зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Канунников Анатолэ, КъБЩIИ-м и унафэщI Иуан Петр, КъЖЗЗС-м и тхьэмадэ Къалмыкъ Жылэбий, жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Заурбий сымэ, нэгъуэщIхэри. ДАХ-м и тхьэмадэм зэIущIэм щыжиIар къызэщIэгъэстакIуэ зыбжанэм зэхьэкIауэ цIыхубэм зэрыхагъэIуам къыхэкIкIэ, тыдодзэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къипсэлъар. «ПщIэ зыхуэтщI ди хьэщIэ лъапIэхэ, Куржым и лIыкIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыкIуар мыхьэнэ ин зиIэ Iуэхущ. 1993 гъэм, Шевардна-дзе Эдуард и тетыгъуэм и иужьрей мазэхэм ирихьэлIэу, екIуэкIа «Туризмым и гъуэгукIэ Кавказым — мамырыгъэ» дунейпсо зэхыхьэм хэтыну ди лъахэм никIа лIыкIуэхэм сраунафэщIу Тбилиси сыщыIат. КъБР-м и унафэщIхэм ящыщхэр абы лъандэрэ нэкIуакъым фи деж. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иужькIэ куржы-абхъаз зэпэщIэтыныгъэхэр къэхъейри, ди зэхущытыкIэхэм захъуэжащ. ЗэрыжаIэщи, зэманым псори зэрегъэзэхуэж. Сэ сызэрегупсысымкIэ, нэхъыщхьэр блэкIам и щыуагъэхэм къытедмыгъэзэжынырщ. Зы лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, дэ гуапэ тщыхъун хуейщ Куржы Парламентым адыгэхэм лъэпкъкIуэд къазэрыхуэкIуар къызэрищтар. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, дэ ди тхыдэм фIыуэ дыщыгъуазэщ, ди лъэпкъым и къекIуэкIыкIар зыхуэдэр дощIэ. Абы ипкъ иткIэ, зыми хуитыныгъэ иIэкъым Урысейм худиIэ къэралкIуэцI зэпыщIэныгъэхэм къыхэIэбэну, Iуэху мыщхьэпэхэм дыкъыхураджэну. Дэ, псалъэм папщIэ, Осетие Ипщэми Абхъазми дыкIуэурэ фи лъэпкъ зэхущытыкIэхэм дыхэIэбэркъым, абхъазхэр ди къуэшу, ди щIалэ 64-м я щхьэхэр а зауэм халъхьауэ щыт пэтми. Абы ипкъ иткIэ, а Iуэхум тIэкIу дыхуэвгъэсакъ. ДяпэкIэ, мы Iуэхум нэхъыбэ тепсэлъыхь щыхъуа лъэхъэнэм, фэрэ дэрэ ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ди зэхуаку дэлъ пщIэмрэ дзыхьымрэ зэтедгъэувэжын папщIэ блэкIа щыуагъэхэм къытедмыгъэзэжыным, хуэсакъыпэу зыбгъэдэтын хуей лъэпкъ Iуэхур зэIыдмыгъэхьэным. Ди зэхущытыкIэр езымыгъэфIакIуэ Iуэхухэм дыхэвмыгъэт. НэгъуэщIхэри «No Sochi» жаIэу уэрамым къыщIыдыхьэн щыIэкъым. Ди зэхущытыкIэхэр абы иригъэфIакIуэркъым икIи игъэдахэркъым. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ ди щIалэгъуалэм я дежкIи. Къыхэбгъэщмэ, нобэ балигъхэм къагурыгъэIуэжын хуейкъым Iуэхур зытетыр. КъекIуэкI псори тэрэзу щIалэгъуалэм къагурыдмыгъаIуэмэ, щытыкIэр къэтIэсхъэныр зыхуэIуа щыIэкъым. Ди губзыгъагъымрэ Iущагъымрэ тхурикъуу Куржыми Къэбэрдей-Балъкъэрми я щIалэгъуалэр тэмэму дунэтIыныр нэхъыщхьэщ». Зытхыжар НэщIэпыджэ Замирэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26007.txt" }
ТхакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ «Жан» жылагъуэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI «Гугъэ» зэпеуэм, тхакIуэ ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщам, мы махуэм пащэ. А Iуэхур ирагъажьэ Адыгэ тхыбзэм и махуэм, гъатхэпэм и 14-м, техуэу. АдыгэбзэкIэ тха литературэ IэдакъэщIэкIхэр компьютеркIэ тедзауэ е электроннэ IэмалкIэ зэпеуэм ебгъэхь хъунущ. Ахэр ипэкIэ зыщIыпIи къытемыхуамэ, зэхьэзэхуэ гуэрми хэмытамэ нэхъыфIщ. Зэпеуэм ирагъэхьыну тхыгъэхэр: «Усыгъэ», «Прозэ», «Драматургие» жанрхэм изагъэу щытын хуейщ, абы щыщ дэтхэнэмкIи 1, 2, 3-нэ увыпIэхэр щыIэнущ. ТекIуахэм иратынущ щIыхь тхылърэ саугъэтхэмрэ. Тхыгъэхэр Iахынущ гъатхэпэм и 15-м щыщIэдзауэ фокIадэм и 15 пщIондэ. ХэщIапIэр: Налшык къалэ, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрам, 5, Печатым и унэ, 6-нэ къат, «Горянка» газетым и редакцэ. Апхуэдэуи тхыгъэхэр компьютеркIэ ебгъэхь хъунущ: zchun@list.ru. КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщымкIэ, зэпеуэм и мурад нэхъыщхьэр тхэным гу хуэзыщIа щIалэгъуалэр утыку къишэнымрэ ахэр гъэгушхуэнымрэщ. Къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжыр ныбжьыщIэхэм я Iэзагъэм хагъэхъуэну Iэмал яIэнымкIэ защIэгъэкъуэнырщ. Япэ зэпеуэм къыхэбгъэщ хъун прозэ тхыгъэ кърахьэлIакъым. «Жан» зэгухьэныгъэм и унафэщI, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ зэрыжиIэмкIэ, прозаикхэр зэрымащIэр щIалэгъуалэм адыгэбзэр зэрызыхамыщIэжым, абыкIэ зэрымыгупсысэжым щыхьэт техъуэ Iуэхущ. ТхакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIыну щIыкIэр хъыбарегъащIэ и лъэныкъуэкIэ зэпеуэм зыкъыщIэзыгъакъуэ «Адыгэ псалъэ», «Советская молодежь», «Горянка» газетхэм тетынущ, ап-хуэдэуи КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и http://www/smikbr/ru порталым и «Зэхьэзэхуэхэр» Iыхьэм къыщывгъуэтынущ. УпщIэ зиIэхэр мы телефонымкIэ псалъэ хъунущ: 8(8662) 42-21-25. ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ министерствэ. Телефон/факсыр: (8662) 47-22-29, 40-82-89, е-mail: otdel_smi_kbr@mail.ru.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26009.txt" }
Къэхъугъэ псоми я къежьапIэ Нобэ Адыгэ тхыбзэм и махуэщ ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, мы гъэм илъэси 160-рэ ирокъу адыгэхэм тхыбзэ диIэу къызэралъытэрэ. Ди бзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн папщIэ, адыгэу дунейм тетым ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм — Дунейпсо Адыгэ Хасэм — илъэси 10 и пэкIэ, 2003 гъэм, абы теухуа унафэ щхьэхуэ къищтащ. Абы лъандэрэ илъэс къэс гъатхэпэм и 14-м Адыгэ тхыбзэм и махуэр догъэлъапIэ, Бырсей Умар и «Адыгэбзэ псалъалъэр» къыщыдэкIар и лъабжьэу. Лъэпкъым и анэдэлъ хубзэр дамыгъэ хэхахэмкIэ къэгъэлъэгъуауэ, ар къыдекIуэкIыу, зиужьу, къыщIэхъуэ щIэблэм Iурылъу къэтэджыныр — ар уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. Адрей тхыбзэхэм еплъытмэ, адыгэ тхыбзэм къикIуа гъуэгуанэр кIыхькъым, арщхьэкIэ абы зыкIи игъэлъахъшэркъым абы и лъапIагъыр, игъэмащIэркъым и IэфIагъыр. Ди лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр. Аращ усакIуэ гъуэзэ-джэ КIыщокъуэ Алим ар къэхъугъэ псоми я къежьапIэу къыщIилъытари. Сыт хуэдэ зэмани ди лъэпкъым и цIыху пэрытхэр, хэкупсэ нэсхэр иропIейтей адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум. Пасэ зэманым абы елэжьахэщ лъэпкъ узэщIакIуэхэу Хъан-Джэрий СулътIан, Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ сымэ. Абыхэм кърахьэжьа Iуэхум пищэу, адыгэбзэм и тхыбзэр зэфIэгъэувэным елэжьащ лъэпкъ еджагъэшхуэ Бырсей Умар. Абы и лэжьыгъэм пащащ абы и ужь ита ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм. 1917 гъэм екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэшхуэм и ужькIэ адыгэбзэм и алфавитыр урыс хьэрфхэм хуагъэкIуауэ щытащ. ИлъэситI-щы нэхъ дэмыкIыу бзэм и макъхэр къэгъэлъэгъуэныр хьэрып хьэрфылъэм хуагъэкIуэжащ. АбыкIэ къэбэрдей школхэм щрагъэджащ илъэс зыбжанэкIэ. 1923 гъэм и пэщIэдзэм Псыхуабэ щрагъэкIуэкIащ адыгэбзэм зегъэужьыным хуэунэтIа зэIущIэ ин. Абы унафэ къыщащтащ адыгэбзэ алфавитыр дяпэкIэ латин графикэм тегъэувэн хуейуэ. А лэжьыгъэм яужь ихьауэ щытащ адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэс Хъуран Батий. Абы и алфавитым цIыхубэр щыгъэгъуэзэн мурадыр яIэу адыгэ щIэныгъэлIхэу Елбэрд Хьэсэнрэ Къэшэж ТIалибрэ 1923 гъэм къыдагъэкIауэ щытащ «Адыгэбзэм и азбукэ» тхылъыр. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, алыфбеищIэм хэплъэжа нэужь, абы хэлъ ныкъусаныгъэхэр игъэзэкIуэжщ, зыхущыщIэхэр хилъхьэжри, Хъураным 1924 гъэм «Букварь» къыдигъэкIауэ щытащ. Хъуран Батий зэхигъэува алыфбейр адыгэхэм илъэс бжыгъэкIэ яхуэлэжьащ. Ар щахъуэжар 1936 гъэращ. Абы щыгъуэ адыгэбзэр урыс хьэрфылъэм и дамыгъэхэмкIэ къэгъэлъэгъуэн щIадзэжауэ щытащ, иджыри абы тетщ. Мы зэманым псалъэмакъ гуэрхэр йокIуэкI ди алыфбейм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ. ЩIэны гъэлIхэр, къэхутакIуэхэр, адыгэбзэр щIэблэм езыгъэдж, абы ирилажьэ IэщIагъэлIхэр, анэдэлъхубзэм и къэкIуэнум иригузавэ нэгъуэщIхэри хущIокъу ар ирагъэфIэкIуэну, адыгэ псоми зэдай, ди зэхуэдэ хьэрфылъэ зэхалъхьэну. ЗэкIэ Iуэхур зыми теубыда хъуакъым, ауэ къэунэхуащ ар нэхъ тыншу сабийхэм зэребгъэдж хъуну методикэ зэмылIэужьыгъуэхэр (Бетыгъуэн Мусер и «Феникс» мегапроектыр, ХьэцIыкIу Раисэрэ Хъурей Люсенэрэ я «Адыгэ псалъэ» тхылъхэр, н. къ.). Абыхэм я нэхъыфIхэм гъуэгу етын хуейщ. Адыгэбзэр хъумэным елэжьыр щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм, егъэджакIуэхэм я закъуэкъым — абы ирогузавэ къэрал унафэщIхэри. Ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр хъумэным, абыхэм адэкIи зегъэужьыным хуэунэтIа унафэ зэмылIэужьыгъуэхэр КъБР-м и Парламентым къищтащ. Апхуэдэу илъэс зыбжанэ лъандэрэ республикэм и школхэм ящыщ куэдым пэщIэдзэ классхэр адыгэбзэкIэ щрагъаджэ. Ди анэдэлъхубзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэнымкIэ ари зы хэкIыпIэщ, зы Iэмалщ. Лъэпкъым и блэкIари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр тхыбзэрщи, абы сыт щыгъуи гулъытэ хуэщIыпхъэщ. Лъэпкъыбзэу щыIэхэм я нэхъыжьхэм хабжэми, ди адыгэбзэм и Iуэхуми узыгъэпIейтей куэд хэтщ. Абы и щыхьэтщ Лъэпкъ Зэгуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН-м) бзэхэм елэжь и къудамэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр. Абыхэм къагъэлъагъуэ адыгэбзэр зызыужь, ефIакIуэ бзэхэм зэращымыщыр. Уеблэмэ, ар зыхэт абхъаз-адыгэ бзэ гупым хыхьэхэм ящыщ гуэрхэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я Тхылъ Плъыжьым иратхащ. «Ухыгъэмрэ къэхъугъэмрэ зи Iэмырым солъэIу анэдэлъхубзэм хузиIа лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щIэблэ си ужь къихъуэну», — адыгэбзэр и псэм щыщ Iыхьэу зэрыщытыр гум къиIукI апхуэдэ псалъэхэмкIэ къигъэлъэгъуауэ щытащ адыгэ еджагъэшхуэ Нэгумэ Шорэ. Лъэпкъым хуэгъэпса апхуэдэ хъуэпсапIэ дэтхэнэ адыгэми дигу илъын хуейщ, бзэр тIэщIэкIмэ, лъэпкъкIуэдыр къытхуэкIуэнкIэ зэрыхъунур тщIэжу. ЖЫЛАСЭ Маритэ, «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26011.txt" }
Гулъытэр псом ящхьэщ КъБР-м и Правительствэм Хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэмрэ къэзыгъэзэжахэмрэ я IуэхукIэ щыIэ комиссэм и зи чэзу зэIущIэр гъубж кIуам екIуэкIащ. Ар къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, комиссэм и тхьэмадэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. Республикэ властыр хамэ къэрал щыхэхэс ди къуэшхэмрэ хэкум къэзыгъэзэжахэмрэ зэрадэлажьэм теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий тепсэлъыхьащ Сирие Хьэрып Республикэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр нобэкIэ зэрыт щытыкIэмрэ абыхэм зэрадэIэпыкъу щIыкIэмрэ. Сирием бэлыхь щыхэхуахэмрэ хэкум къэзыгъэзэжахэмрэ я Iуэхур зэрыдэкIым, зыхэт гугъуехьхэм, нэгъуэщIхэми тепсэлъыхьащ комиссэм хэтхэр. Къэбарт Синэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26013.txt" }
Сом мелард 1,3-рэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен зэIущIэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм и япэ вице-премьер Марьяш Иринэ, финансхэмкIэ министр КIэрэф Мурат, къэрал мылъкумрэ щIы зэхущытыкIэхэмкIэ министрым и къуэдзэ Бэрэгъуэн Аслъэнбэч хэту. Абы щытепсэлъыхьащ 2013 гъэм къэрал мылъкур уней (приватизацэ) щIыным теухуауэ ягъэбелджыла Iуэхухэр гъэзэщIа зэрыхъум. 2013 гъэм уней ящIыну ягъэлъагъуэ мылъкум къыпэкIуэу республикэ бюджетым сом мелард 1,3-рэ къыхэхъуэну щогугъ. Абыхэм ящыщу сом мелард 1,2-р акционер (мылъку зезыхьэ) обществэхэм я акцэхэр (акцэхэм я Iыхьэхэр), ягъэIэпхъуэ мыхъу мылъкур, нэгъуэщIхэр зэращэм къыщIахынущ. ЗэIущIэм къыщыхагъэщхьэхукIащ къэрал мылъкур зэращэм къыщIахыну ахъшэр зыхуэдизыр ягъэтэмэмыжынкIэ зэрыхъунур, КъБР-м и Правительствэм къэрал мылъкуу ищэнумрэ имыщэнумрэ зэхагъэкIыпэмэ. Къанокъуэ Арсен къыхигъэбелджылыкIащ къэрал мылъкур уней щIыным теухуа лэжьыгъэмрэ УФ-м и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам щыгъэува къалэнхэр гъэзэщIэнымрэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Къапщтэмэ, КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ республикэм и Правительствэм и къарур псом япэу экономикэм и IэнатIэхэу КъБР-м и къэрал унафэм щIэтын хуэмейхэр уней мылъкум къызэщIегъэубыдэным, акционер обществэхэм заужьыным бюджетым щымыщ инвестицэхэр ехьэлIэным, КъБР-м и республикэ бюджетым и хэхъуэхэм зрагъэIэтыным хуиунэтIын зэрыхуейр. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26015.txt" }
ЩIымахуэ Олимпиадэм и щыхьэр
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26022.txt" }
ТВ нэтынхэр 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, гъатхэпэм и 18 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «ТВ-галерея». Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и актрисэ Кравцовэ Наталье (12+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.35 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт-нэгузыужь программэ (6+) 18.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.25 Журналист, композитор Этчеев Музэфар и ныбжьыр илъэс 50 ирокъу. «Сэлам алейкум, Музэфар!» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.05 «Зэманым екIуу» (16+) 20.30 «Гъуэгуанэ дахэ». «Iуащхьэмахуэ» журналыр къыдэкIын зэрыщIидзэрэ илъэс 55-рэ щри-къум ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.00 «Музыкант». УФ-м и цIыхубэ артисткэ Къашыргъэ КIурацэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, гъатхэпэм и 19 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Чемпионхэр». СССР-м физкультурэмкIэ и отличник Метревели Пётр (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «ЦIыху». Авиацэм и ветеран Хоханаев Хьэким (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.25 ««Гъуазджэм и бзэкIэ». СурэтыщI Индрис Залымхъан (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.40 «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «Лъэпкъым и набдзэ». Япэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.25 «Налшык Зауэ щIыхьым и къалэщ». Телефильм (12+) 19.25 Мультфильм 19.50 «ЩIэныгъэм ухуэзышэ гъуэгу» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.20 «Унагъуэ». Налшык къалэм щыпсэу Елгъэрхэ я унагъуэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.55 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 21.10 «Нэхъ лъапIэ дыдэ» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, гъатхэпэм и 20 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «КъэкIуэнур зейхэр». Хэкур фIыуэ ялъагъуу гъэсэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 Мечиев Кязим и усыгъэр (балъкъэрыбзэкIэ) 8.20 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (16+) 8.35 «Ди псэлъэгъухэр». Жэмтхьэлэ Ищхъэрэ къуажэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Къэгъэзэж СулътIан (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.05 «Тайм-аут». Спорт тележурнал(12+) 9.20 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр (12+) 18.00 «Ретроспектива». «Сказка старого Эльбруса». Телевизионный фильм 18.30 Спорт программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.25 Мультфильм 19.40 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.10 «Нобэ, пщэдей…». Бахъсэн къалэ дэт «Галактика» щIалэгъуалэ центрыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.35 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.10 «Хабзэм тет упщIэ» (16+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, гъатхэпэм и 21 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». Лакъунхэ Салимрэ Зауррэ (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Гум и къеуэкIэ». СурэтыщI Сарбашев Азнор и сурэтгъэлъагъуэм къратыкI репортаж (балъкъэрыбзэкIэ) 8.10 «Унагъуэ». Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм щыпсэу Малкаровхэ я унагъуэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.35 «ЩIэныгъэлI». Химие щIэныгъэхэм я доктор Шурдым Барэсбий (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.00 «Усэхэр зэрыт тетрадь». Тхьэгъэзит Зубер (12+) 9.15 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.20 «Нарт оюнла». Балъкъэр Ипщэ къуажэм и махуэшхуэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.25 Мультфильм 19.40 «Чемпионхэр». СССР-м шы спортымкIэ и мастер Къуныжь Мухьэрбий (12+) 20.05 «ЩIэныгъэм ухуэзышэ гъуэгу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.35 «Псыпэхэш». Адыгэ джэгуакIуэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ къызэралъхурэ илъэси 150-рэ щрикъум ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.10 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». Пшынауэ ЛIыбзу Аслъэн 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, гъатхэпэм и 22 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «КъызыхуигъэщIар». Полицэм и IэщIагъэлI нэхъыфIхэр къыхэхынымкIэ урысейпсо зэпеуэм щытекIуа Тезадэ Марианнэ (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Шу хужь». ТхакIуэ Гулиев Мэжид и IэдакъэщIэкIхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.25 «Илъэсих ирикъуху» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.45 «Нало Жансэхъу» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр (12+) 18.00 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ тележурнал (12+) 18.30 «Тхьэм и унэм ухуэзышэ гъуэгу» 19.25 Мультфильм 19.30 «ГъащIэ гъуэгу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.55 «Ди псэлъэгъухэр» (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.25 «Республикэм хуэгъэзауэ». Тэрч район администрацэм и Iэтащхьэ Пэнагуэ Максим (16+) 20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, гъатхэпэм и 23 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 Дунейпсо зэпеуэхэм щытекIуа Шахгалдян Карен (скрипкэ) дыIуощIэ (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Жанкиши». СурэтыщI Занкишиев Ибрэхьим (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.25 «ЦIыкIураш». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.40 «ТхакIуэ цIэрыIуэ Жылэтеж Сэлэдин» (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.10 Мультфильм 16.20 «Ретроспектива». «Песни над облаками». Художественный фильм 17.30 Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэ 18.00 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 18.20 «Литературэм теухуа псалъэмакъ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.50 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 19.05 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.25 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.00 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 20.15 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 24 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Псори цIыхухэм къахуонэ». Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Къумахуэ Башир къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу (12+) 7.40 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 7.55 «Зэчиймрэ IэщIагъэмрэ». КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Махиевэ Зое (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.25 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 8.40 «Нанэ и псэ». Адэ-анэхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.50 Мультфильм 17.05 Iуащхьэмахуэ лъапэ япэ кIапсэ гъуэгур къызэрыщызэIуахрэ илъэс 50 ирокъу. «ФIыуэ слъагъу Чегет» (12+) 17.25 «ФIыуэ тлъагъу бзылъхугъэхэм дынывохъуэхъу!» Концерт 18.55 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт-нэгузыужь программэ (6+) 19.20 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 19.50 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.10 «Гум имыхуж». УФ-м щIыхь зиIэ и артист Болэ Мурат (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, гъатхэпэм и 18 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 21.15 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр Гъубж, гъатхэпэм и 19 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 9.30 «Макъамэ пощт» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «Унагъуэ альбом». 21.10 «Пэшым екIу сурэтхэр» программэр. УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI Пащты Герман. Бэрэжьей, гъатхэпэм и 20 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 Ток-шоу «Адэхэмрэ бынхэмрэ» Махуэку, гъатхэпэм и 21 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIахэр» 9.30 «Макъамэ пощт» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» нэтыныр (адыгэбзэкIэ) 21.15 «ХамэщIри хэкум хуэдэу фIыуэ елъагъу» нэтыныр (балъкъэрыбзэкIэ) Мэрем, гъатхэпэм и 22 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 20.40 «Вояж» нэтыныр Щэбэт, гъатхэпэм и 23 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIахэр» 10.35 «Макъамэ пощт» Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 24 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр КъБР-м и радио Блыщхьэ, гъатхэпэм и 18 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00 «Гум и къеуэкIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 Асановэ Кулинэ. «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, гъатхэпэм и 19 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.48/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Классикэ макъамэм и концерт» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.35 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, гъатхэпэм и 20 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «Дунеймрэ абы щыпсэу цIыхухэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Салам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, гъатхэпэм и 21 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм папщIэ ятха пьесэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.34/17.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.44/17.42 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 «Си хэку — си уэрэд» (адыгэбзэкIэ). 10.45/11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25 «Дэтхэнэри щIыхьэну хуит ящI» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Пшыналъэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, гъатхэпэм и 22 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/16.35 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, гъатхэпэм и 23 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Шаудан». Радиожурнал (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр» (урысыбзэкIэ). 10.00 «Дэрэжэгъуэ» (адыгэбзэкIэ). 10.30 «Псоми папщIэ эфир» (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.30 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00/14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 24 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ). 10.40/10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35/14.00 «ЦIыхуитIым зэдыжаIэ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26025.txt" }
Новосибирск щытекIуэфакъым «Металлург-Кузбасс» (Новокузнецк) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:0 . Новосибирск. «Заря» спорткомплекс. Гъатхэпэм и 11-м. ЦIыху 200 еплъащ. Судьяхэр: Вилков (Новгород Ищхъэрэ), Еровенкэ (Краснодар), Богданов (Верея). «Металлург-Кузбасс»: Дюпин, Самойлов, Недорезов, Зотов, Эдиев, Клименкэ (Ткачук, 90), Сапаев, Емельянов (Авсюк, 64), Киселев (Нарылков, 64), Козлов, Шишелов (Шпаков, 81. «Спартак-Налшык»: Коченков, Багаев, Тимошин, Овсиенкэ, Засеев, Руа Карлос (Сирадзе, 84), Чеботару, Галин (Зинович, 46), Медведев (Болэ, 77), Аверьянов, Буйтрагэ (Коронов, 75). Дагъуэ хуащIащ Клименкэ, Ткачук, Болэм. «Металлург-Кузбасс»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» я зэIущIэр Новосибирск щыIэ спорткомплекс зэхуэщIам щрагъэкIуэкIын хуей хъуащ, Сыбырым щыщыIэ уаем Новокузнецк и стадион зэIухам иджыпсту топ ущыджэгу зэрымыхъунум къыхэкIыу. IэрыщI губгъуэм нэхъ хэзэгъэн папщIэ налшыкдэсхэр абы гъатхэпэм и 7-м кIуащ икIи махуэ къэс зыщагъэсащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, фIыуэ къахуихьар мащIэщ. Новосибирск щекIуэкIа зэIущIэм куэдкIэ ущыгугъ хъунут. Япэрауэ, налшыкдэсхэр езыгъэблэгъа я хьэрхуэрэгъухэр щыджэгур я стадионратэкъым. ЕтIуанэрауэ, мылъкур къазэремэщIэкIыр я щхьэусыгъуэу абыхэм загъэлъэщыну Iэмал яIатэкъым икIи япэ дивизионым щаIыгъ увыпIэ лъахъшэр яхуэфащэ дыдэт. АрщхьэкIэ, ди щIалэхэм «Металлург-Кузбасс»-м зы очко къыфIахьри, тIу ягъэкIуэдащ. ЗэIущIэм и пэщIэдзэм налшыкдэсхэр нэхъ жыджэращ. Нэрылъагъут ахэр текIуэныгъэм ерыщу зэрыщIэбэнынур. Ауэ ерыщагъыр IэзагъкIэ щIэгъэбыдэжын хуейт. Ар нобэрей «Спартак-Налшыкым» хуабжьу къызэремэщIэкIыр нэрылъагъут. Джэгум и япэ Iыхьэм ди щIалэхэр 13-рэ новокузнецкдэсхэм я гъуэм еуати, 3 хуагъэзэфауэ аращ. Абы щыгъуэми топыр абы дагъэкIыну зы Iэмал закъуи яIакъым. Пэжщ, Буйт-рагэ штрафнойр щигъэзащIэм «Металлург-Кузбасс»-м дэщIхэр игъэгулэзащ. АрщхьэкIэ топыр зы мащIэкIэ гъуэм хуэзакъым. КъыхэжаныкIыфынут Чеботарурэ Руа Карлосрэ, ауэ… Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ «Спартак-Налшыкыр» ужьыхыжыпащ. Абы къыхуэсэбэпакъым Зинович, Коронов, Болэ, Сирадзе сымэ къаруущIэ яIэу къазэрыхыхьари. Джэгур иухыхукIэ гум къинэжыну налшыкдэсхэм зы Iэмали къахузэгъэпэщакъым. Арати, бжыгъэр къызэIуамыхауэ, 0:0-у, мыгъэрей зэхьэзэхуэм и япэ зэIущIэр налшыкдэсхэм кърахьэлIащ. Абы щыгъуэми, нэгъабэрейхэри хэплъхьэжмэ, ди щIалэхэм зэIущIищ хъуауэ зэкIэлъхьэужьу я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэр хагъэщIэфкъым. Къыхэгъэщыпхъэщ «Металлург-Кузбасс»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» зэрызэдэджэгум еплъыну Новосибирск и «Заря» спорткомплексым цIыху 200 фIэкIа къызэрыримыхьэлIар. Ар егъэлеяуэ мащIэщ. Апхуэдиз дыдэ исауэ аращ Химки къалэмрэ Санкт-Петербургрэ я стадионхэми. Абы къегъэлъагъуэ ди къэралым топджэгушхуэм гулъытэ щIагъуэ зэрыщыхуамыщIыр, футболым дихьэххэр кърашэлIэн папщIэ гугъу зэрызэрамыгъэхьыр. Къуажэ командэхэр щызэIущIэкIэ абы нэхърэ нэхъыбэ къокIуалIэ. НтIэ, сыт апхуэдиз мылъку (доллар мелуан зыбгъупщI) щIытегъэкIуэдэн хуейр, афIэкIа цIыхубэм къафIэмыIуэху гупхэм?! Абы щыгъуэми ахэр нэхъыбэу зэрызэхэгъэувар хамэ щIыпIэхэм къраша защIэу. МынэхъыфIу пIэрэт езыхэм я гъэсэнхэмкIэ гъэнщIа командэхэр утыку кърагъэхьэмэ? Абы иужькIэ а щIыпIэхэм я щIалэгъуалэми гъуэгу нэхъ ягъуэтынт, топджэгум дихьэххэри стадионым уэру къекIуэлIэнт. Дауэ щытми, япэ дивизионым хэт адрей гупхэми зэхьэзэхуэм щIадзэжащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, премьер-лигэм щIэбэныну Iэмал къезыт ещанэ-еплIанэ увыпIэхэм папщIэ «Спартак-Налшыкым» и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэр, я очко бжыгъэм хагъахъуэри, тщхьэщыкIащ. Абыхэм ящыщ Нижнекамск и «Нефтехимик»-мрэ Волгоград и «Ротор»-мрэ Мэзкуу пэмыжыжьэу щыIэ Химки къалэм щызэIущIат. Абы и щхьэусыгъуэр Тэтэрстаным и щIыналъэр иджыри щIыIэм къызэримыутIыпщарщ. Джэгур волгограддэсхэм я текIуэныгъэкIэ 2:0-у иухащ. ДылъэщIэмыхьэжын хуэдэу япэ ищащ Хабаровск и «СКА-Энергия»-ри. Санкт-Петербург щыIэу ар 2:1-уэ щIыпIэ «Петротрест»-м ефIэкIащ. «Уфа»-мрэ «Сибирь»-мрэ зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, Башкортостаным и къалащхьэм щызэбгъэдэкIыжащ. Адрей командэхэм я зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр кърикIуащ: «Урал» (Свердлов область) — «Волгарь» (Астрахань) — 1:0, «Енисей» (Красноярск) — «Торпедо» (Мэзкуу) — 0:0, «Балтика» (Калининград) — «Химки» (Мэзкуу область) — 1:1, «Шинник» (Ярославль) — «Салют» (Белгород) — 1:0. КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэр ди щIалэхэм Налшык щрагъэкIуэкIынущ. Гъатхэпэм и 18-м абыхэм кърагъэблэгъэнущ я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэм ящыщ зы Хабаровск и «СКА-Энер-гия»-р. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26027.txt" }
Хъунэгу Рашид и зэфIэкI лъагэ Адыгэ Республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэ Адыгей Къэрал Университетыр зызыужь, IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэхэр нэсу гъэхьэзырынымкIэ ехъулIэныгъэ лъагэхэр зыIэрызыгъэхьэ IуэхущIапIэщ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт языныкъуэ еджапIэ ехьэжьахэр зэрыгушхуэ, зэрыин Iуэхугъуэхэм ящыщщ диссертацэхэр щыпхагъэкI совет зытIущ зэраIэр. Адыгей къэрал университетым кандидат, доктор лэжьыгъэхэр щыпхагъэкI апхуэдэ IэнатIэу 8 иIэщ. Абы къыщыдокI щIэныгъэ журналрэ сборникыу 20-м нэс, къэхутэныгъэ лабораторэхэу, щIэныгъэ центрхэу АКъУ-м щылажьэхэр пщIы бжыгъэ зыбжанэ мэхъу. Зи гугъу тщIы ехъулIэныгъэхэм хуэдэ и мащIэкъым университетым. Абыхэм ящыщ куэд и фIыгъэщ илъэс 15-м щIигъуауэ абы и ректор, социологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хъунэгу Рашид Думэлыч и къуэм. 1953 гъэм гъатхэпэм и 13-м Краснодар крайм къыщалъхуащ Хъунэгур. Зи адэри анэри егъэджакIуэ сабийм еджэным гу хуимыщIу, щIэныгъэм и пщIэр зыхимыщIэу къэнакъым. Курыт школыр фIы дыдэу къиуха нэужь, Рашид еджэным щыпищащ Таганрог дэт къэрал радиотехникэ институтым икIи «электрон техникэм и инженер» IэщIагъэр иIэу 1975 гъэм абы къыщIэкIащ. Техникэм и зыужьыныгъэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ IэщIагъэлIыр а унэтIыныгъэмкIэ щылэжьащ Москва дэт конструктор-технологие бюром Мейкъуапэ щиIэ къудамэм. Инженер-конструктор IэкIуэлъакIуэм и лэжьыгъэм къыдэкIуэу социологием ехьэлIа къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэри иригъэкIуэкIыу хуежьащ. Къиугъуея Iуэху еплъыкIэщIэхэр и лъабжьэу абы игъэхьэзыращ икIи ехъулIэныгъэ иIэу пхигъэкIащ и кандидат диссертацэр. ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ щIэныгъэлIым гу лъамытэу къэнакъым. 1992 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэси 4-кIэ ар щытащ Адыгэ Республикэм и Президентым и Администрацэмрэ Министрхэм я Кабинетымрэ я Iуэхухэр зезыгъакIуэу. А илъэсхэм къриубыдэуи Хъунэгум утыку кърихьащ иджыри зы щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэ: и доктор диссертацэр. 1996 гъэм щIэныгъэлI щыпкъэр ирагъэблэгъащ Адыгей къэрал университетым икIи абы и ректору ягъэуващ. Дзыхь къыхуащI дэтхэнэ IэнатIэри егъэфIэкIуэным, зегъэужьыным хущIэкъуу лажьэ Хъунэгум университетым щекIуэкI Iуэхухэр езым и гъащIэм и зы IыхьэфI хъуащ. Абы лъэкI къигъэнакъым республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэм и пщIэр щIыналъэм, къэрал псом къыщыIэтынымкIэ. ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэм я къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэщ Рашид. Унафэ тэмэм щIынми Iэзагъышхуэ, зэчиишхуэ хуейщ. Ар нэсу къыгурыIуэу, ректорым и Iуэху зехьэкIэм хелъхьэ гъащIэм къыхыхьэ мардэщIэхэр. Ар ректору зэрыщыт илъэсхэм къриубыдэу АКъУ-м игъуэта зыужьыныгъэр нэрылъагъущ. 2000 — 2008 гъэхэм университетым и аспирантурэ къудамэм зыхурагъаджэу щыта IэщIагъэхэм я бжыгъэм тIукIэ хэхъуащ. КуэдкIэ нэхъыбэ хъуащ еджапIэм щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэр. Ахэр щызэфIах щIэныгъэ центрхэм, лабораторэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуа къудей мыхъуу, я зэфIэкIхэми заужьащ. Социологием, политологием, геоинформацэ технологиехэм дахьэх къэхутакIуэ емызэшыр и унафэщIщ АКъУ-м и щIэныгъэ центр инхэм ящыщ зым. Хъунэгу Рашидщ къызэзыгъэпэщар икIи и унафэщIыр УЩIА (РАН)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ и институтым. ИригъэкIуэкI къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр зэрыт тхылъ щхьэхуэхэр, щIэныгъэ тхыгъэхэр и куэдщ профессор цIэрыIуэм. Ахэр щIэх-щIэхыурэ къытрадзэ къэралпсо, щIыналъэпсо щIэныгъэ журналхэм, газетхэм. Кавказ Ищхъэрэм къыщыдэкI щIэныгъэ журнал зыбжанэм я редколлегием хэтщ Хъунэгу Рашид. Абы къыдэкIуэу ар я редактор нэхъыжьщ «Образование. Пространство RU», «Вестник АГУ» журналхэм. ЩIэныгъэ дунейм пщIэшхуэ щызиIэ Хъунэгур ирагъэблагъэ икIи я утыку къыщопсалъэ ди къэралми хамэ щIыпIэхэми щекIуэкI конференцхэм, жылагъуэ зэхыхьэхэм. Апхуэдэ мурадкIэ ар щыIащ США-м, Японием, Инджылызым, Германием, Франджым, Финляндием, нэгъуэщI къэралхэми. 2008 гъэм ар хъуащ къэрал унафэщIхэм я лэжьыгъэр къыщапщытэ Урысейпсо проектым и лауреат. Бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэмрэ гупсысэ куумрэ я фIыгъэкIэ Хъунэгу Рашид тэмэму зэдехьыф унафэщI, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, жылагъуэ къалэнхэр. Ар жыджэру холэжьыхь УЩIА-м и Ипщэ щIэныгъэ центрым и Президиумым и Iуэхухэм, хэтщ АР-м и Президентым и деж ЩIэныгъэм зегъэужьынымкIэ щыIэ советым. Апхуэдэу УФ-м и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я ректорхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, Ипщэ Федеральнэ щIыналъэм, Кубанымрэ Адыгеймрэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм я ректорхэм я советхэм я Президиумхэм я унафэщIхэм я къуэдзэщ. Кубаным щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хъунэгур дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ академие зыбжанэм я академикщ: Социальнэ щIэныгъэхэмкIэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиехэм, нэгъуэщIхэми. ЗэфIих лэжьыгъэ купщIафIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къалъытэурэ, лъэпкъ щIэныгъэлI цIэрыIуэм къыхуагъэфэщащ цIэ лъагэхэр, дамыгъэ лъапIэхэр. Абыхэм ящыщщ «Адыгейм и ЩIыхь», «Кубаным и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ», Вернадскэм и цIэр зезыхьэ, «ЩIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ», нэгъуэщI медалхэр, «Софие Щихъ» орденыр, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым къыбгъэдэкI ЩIыхь Тхылъыр. Сократ и цIэр зезыхьэ Европей саугъэтым, «ФIагъымкIэ Америкэ дыщэ сертификат» дунейпсо саугъэтым я лауреатщ. Хъунэгу Рашид къызыхуэтыншэу хузэфIэкI лэжьыгъэхэм, тэмэму ирихьэкI къулыкъухэм щыгъуазэ ухъуа нэужь, къыбгуроIуэ илъэс 60 ныбжьыр ар цIыху зэфIэкIым и фIыгъуэу, абы нэсу зыкъыщызэкъуих зэману зэрыщытыр. ЕфIакIуэу, узыншэу, лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм ехъулIэныгъэщIэхэр щызыIэригъэхьэу Хъунэгур иджыри куэдрэ псэуну ди гуапэщ. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26030.txt" }
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм, «Налшык» ОРТК-м, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м, «Кабардино-Балкарская правда», «Адыгэ псалъэ», «Заман», «Советская молодежь», «Горянка» газетхэм, «Литературная Кабардино-Балкария», «Iуащхьэмахуэ», «Минги Тау», «Солнышко», «Нур», «Нюр» журналхэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, «КъБР-м и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщыным хуэлажьэ центр хэха» ГКУ-м, «Тетраграф» ООО-м я лэжьакIуэхэр «Налшык» ОРТК-м и генеральнэ директор Вэрокъуэ Владимир Хъалид и къуэм хуогузавэ абы и шыпхъу Вэрокъуэ Галинэ Хъалид и пхъур дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26032.txt" }
Нобэ ЩэхуакIуэм и хуитыныгъэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. 1983 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. Жейм и дунейпсо махуэщ. Япэ дыдэу 2008 гъэм ирагъэкIуэкIауэ щытащ, Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ. Белоруссие Республикэм и Конституцэм и махуэщ 1917 гъэм ПIалъэкIэ щыIэ Правительствэм и орган Тэрч къыщызэрагъэпэщащ. Адыгэхэм я цIыхубэ лIыхъужь Къылыш СулътIан-Джэрий къызэралъхурэ илъэси 133-рэ ирокъу. Адыгей драматург, актрисэ, критик Натхъуэ Долэтхъан къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 — 18, жэщым градуси 10 — 12 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26035.txt" }
Лъэпкъ егъэджэныгъэм и гъуэгу «Тетраграф» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэ IэнатIэм и тхыдэм щыщ. 1918 — 2012» тхылъыщIэр. Ар ягъэхьэзыращ биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэгъэпсо Сэфарбийрэ педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор Тэхъу Светланэрэ. Лъэпкъ егъэджэныгъэм къикIуа гъуэгуанэ купщIафIэр, ар зэрызэфIэувамрэ зэрызиужьымрэ, илъэс зэхуэмыдэхэм IэнатIэм щекIуэкIа къэрал политикэмрэ мы лъэхъэнэм къыпэщыт къалэнхэмрэ къыбгурыIуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ Щхьэгъэпсомрэ Тэхъумрэ я IэдакъэщIэкIым. Абы Iэмал къыует IэнатIэм и зэхэлъыкIэм куууэ укIуэцIрыплъыну, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм хэлъ тхыдэ-щэнхабзэ лъапIэныгъэр зыхэпщIэну. Лъэпкъ егъэджэныгъэм къикIуауэ ялъытэ илъэс 95-м а IэнатIэм и пашэу щытащ цIыху 32-рэ, 1918 гъэм просвещенэм и япэ наркому щыта Тамбий Пагуэ Исмэхьил и къуэм и деж къыщыщIэдзауэ 2012 гъэм и щэкIуэгъуэм а къулыкъур зыхуагъэфэщауэ мы зэманым КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан Григорий и къуэм и деж щиухыжу. «ЦIыхубэр егъэджэным зи къарурэ зэфIэкIрэ езыхьэлIа дэтхэнэри узэщIакIуэ нэсщ, сыту жыпIэмэ абыхэм ялъэкI къагъэнакъым ди лъэпкъыр щIэныгъэм и нэхум хэшэнымкIэ, а IэнатIэр хъумэнымкIэ икIи зегъэужьынымкIэ, ди бзэмрэ щэнхабзэмрэ къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэнымкIэ, хэкум лъэпкъ интеллегенцэ къигъэтэджынымкIэ», — щатх тхылъым и пэублэ псалъэм авторхэм. Зи бжыгъэкIэ зы мин хъу тхылъыщIэр ди блэкIар, дыщыпсэу нобэр, дызыхуэплъэ къэкIуэнур зэпызыщIэщ. Ар яфIэхьэлэмэтынущ щIэныгъэ, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм пэрытхэм, лъэпкъ тхыдэм дихьэх дэтхэнэми. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26037.txt" }
Гулъытэ зыхуэщIыпхъэхэр ЩIалэгъуалэ зэчиифIэхэм я жэрдэмыр ядэIыгъыным хухаха «Образование» лъэпкъ проектым къыщыхэжаныкIахэм щIыхь тхылъхэр Правительствэм и Унэм щритыжащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. ТекIуахэм я гъусэу фэеплъ сурэт Къанокъуэ Арсенрэ Хьэсанэ Русланрэ зытрагъэхащ. Апхуэдэ гулъытэр ялъысащ студент 35-м. Абыхэм ящыщу 24-р Урысейм и Президентым и саугъэтым, цIыху 11-р «Образование» лъэпкъ проектым и республикэ саугъэтым я лауреатщ. Къыхэгъэщыпхъэщ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу студентищым дэтхэнэми хуэзэу сом мин 60, ныбжьыщIэ 21-м сом мин 30, республикэ бюджетым къыхахауэ сом мин 15 цIыху 11-м зэрыратар. — Ди щIалэгъуалэр республикэ, урысей лъэпкъ проектхэм зэрыхэтыр фIыгъуэшхуэщ. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм я зэфIэкI къыщагъэлъэгъуэным ныбжьыщIэхэм я къэухьым хегъахъуэ, щIэныгъэфI зэзыгъэгъуэтахэр республикэм зиужьынымкIэ сэбэп зэрыхъужынухэр гурыIуэгъуэщ. Нобэ дгъэлъапIэ щIалэгъуалэм ар нэрылъагъу тщащI. ЗэрытщIэщи, ди нэIэ сыт щыгъуи тетын хуейщ егъэджэныгъэ, политикэ, щэнхабзэ IэнатIэхэр егъэфIэкIуэным. А псом къешэлIапхъэщ щIэблэр, республикэм и къэкIуэнур зэлъытар ахэрщ. Иужьрей зэманым щIалэгъуалэм дазэрыдэлажьэ программэхэри нэхъыбэ хъуащ, я жэрдэмхэр пхагъэкIын папщIи проект зэмылIэужьыгъуэхэр ягъэхьэзырыну Iэмал яIэщ. Дэри тлъэкIкIэ защIэдгъэкъуэнущ абыхэм. Студентхэм ягъэхьэзыр лэжьыгъэ купщIафIэхэр гъэзэщIа хъумэ, ахэр нэгъуэщI Iуэхухэми тегушхуэнущ. Си фIэщ мэхъу нобэрей ди щIэблэм зэфIэкI хъарзынэ зэриIэр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрырагъэфIэкIуэн акъыл зэрыбгъэдэлъыр. Дэтхэнэми сохъуэхъу дяпэкIи ехъулIэныгъэфIхэр иIэну, икIи ерыщу, жыджэру республикэ Iуэхухэм хэтыну къыхузоджэ, — жиIащ Къанокъуэ Арсен. «Космос» республикэ зэхьэзэхуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа Бжьыней Ислъам щIалэгъуалэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ хуищIащ республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. — Уи фIыгъэкIэ республикэм лэжьыгъэ купщIафIэ куэд щокIуэкI, — зыхуигъэзащ абы Къанокъуэм. — ЕджакIуэхэм щIэныгъэ, техникэ IуэхухэмкIэ зегъэужьыным телажьэ республикэ центрыр (Налшык къалэ) ныбжьыщIэхэм дежкIэ щхьэпэщ, абы Iэмал щыдогъуэт къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щедгъэкIуэкIыну, щIэныгъэ куу щызэдгъэгъуэтыну. Дауи, гулъытэ зыхуэщIыпхъэхэм ящыщщ республикэм и мэкъумэш IэнатIэр, промышленностыр, щIыуэпсыр хъумэныр. Абыхэм зегъэужьыным ехьэлIа ди гупсысэхэр Iуэху пыухыкIам хуэдгъэкIуэфмэ, тхузэфIэкIым хэхъуэу кIуэнущ. ЕджакIуэхэм экологиемкIэ я урысейпсо олимпиадэм къыщыхэжаныкIа Чикуровэ Наталье псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ республикэм и Iэтащхьэми зэхыхьэм кърихьэлIахэми. — ПщIэ зыхуэтщI Арсен Башир и къуэ! ФIыщIэ пхудощI ди щIэныгъэр къэдгъэлъэгъуэну IуэхуфIхэр къызэрытхузэбгъэпэщым папщIэ. Нэхъыжьхэр фыдмыгъэщIэхъуну фыкъыдогъэгугъэ. Дэ дытогузэвыхь щIыналъэм и къэкIуэнум, щIыуэпсым и бауэкIэри зыхыдощIэ. Ахэр тхъумэныр нобэ ди къалэн нэхъыщхьэщ. ЩIэныгъэр сыт щыгъуи ди гъуэгугъэлъагъуэу щытыну фыкъыдогъэгугъэ. — Сэ срогушхуэ мыпхуэдэ Iуэху щхьэпэ сыхэтыну Iэмал къызэрысхукъуэкIам. ФIыщIэ хузощI си лэжьыгъэр къэзылъыта дэтхэнэми. Дэ къыдгуроIуэ къэкIуэным дызэрыхуэсакъыпхъэр, абы къыхэкIыуи дыхущIэкъунщ ди щIэныгъэм хэдгъэхъуэну. АбыкIэ сэбэп къытхуохъу олимпиадэ, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэм догъэлъапIэ лъэпкъым и хабзэри, тхыдэри, къэкIуэнури, — жиIащ «ЕджакIуэ самоуправленэм и пашэ» республикэ зэпеуэм щытекIуа Семэн Екатеринэ. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26041.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Гупсысэр – псалъэкIэ Пэж Сытым хуэдэу си гум укъэкIа! Сынаджэ, сынэлъаIуэ пэтми, уи ныбжь къудейм гущIэгъуншэу сыхуогъэныкъуэ. Узэхэсхыну, сыпIущIэну, си дуней гъащIэм укъыхэсшэну си нэ къызэрыхуикIыр зыхуэдизыр къысхуэмыIуэтэнкIэ сошынэ. Сошынэ, куэду сопIейтей афIэкIа зэи узэрызыхэзмыщIэжыным, уэркIэ зэрызмыIуэтэжыным теухуа гупсысэхэр си щхьэм къыщиджэразэкIэ. ЗэкIэ ущымщ, удэгу сэрощ. Уэрэ сэрэ дызэпэжыжьэщ, дызэпэжыжьащэщ. Жьыбгъэмрэ жьапщэмрэ ягъэфейцея си гупсысэхэм дыгъэпсу зэгуэр уакъыхущIэкIыжыным хэзмыхыжауэ згъэтIыгъуэ си гугъэ кIапэрщ теплъаджэ сфIэхъу си гъащIэм къару мащIэкIэ къыхуэупсэжыфу къыхуэнэжар. Нэ жанкIэ мы дунейр къозыгъэплъыхьыфыну щыIэу къысщыхъур зы закъуэщ — уи закъуэщ, уи закъуэпцIийщ. Закъуэныгъэрэ зэш зэфэзэщкIэ укъызэтэурэ си фэр ибох, укъысхуэхъукъым зыкIи бампIэдэх. Зи нэм бжэгъу уахуэхъу уи бий къомым я кIэн къикIауэ яуфэбгъуащ мы дунейр, къаплъэнэфымрэ пцIыIуэпцIышафэмрэ я фащэр хуэфIыпсу зыщатIэгъа дуней домбейр. Уи лъапсэр яунэщIыну щIэхъуэпсхэм, уи лъабжьэр щIагъэхуу уи къуэпсыр ягъэгъуну щIэбэнхэм я мурадым гъуэгу игъуэтынкIэ зы Iэмали иIэкъым. Зэгуэр дуней жьэгум урижьантIэдэсу зэрыщытар, фIэщхъуныгъэмрэ дахагъэмрэ я нуркIэ угуашэу къызэрекIуэкIар ихъуреягъым яIэщIэхужыпэмэ, мис итIанэщ шынагъуэм и лъахэм щхьэхуимыту дыкъыщихутэнур. Уэращ, зи нэр щапхыкIыу щIэткIукI-щIэсыкIыр къызыхуагъакIуэу щыхупIэм тIэкIу-тIэкIуххэурэ щхьэщашэ уэращ дыгъэм и гъэфIэн закъуэр, мазэм и гур щыз зыщIыжыфыр, уафэм и фэр къизыгъэхьэжыфыр, щIылъэм щызекIуэ псоми я лъэр щIэзыгъэкIыр. Уэ зыращ. ПщIэрэ, тегушхуэгъуафIэ узыщIа уи жагъуэгъу мыфэмыцхэм уазэрытекIуэн, зэрыхэбгъэщIэн къару лъэщ пкъуэлъщ уэ. ЕбгъэрыкIуэ, ищIыкI, тегушхуи зылъыгъэсыж тепщэгъуэр, си Пэж. Жамбэч Рабия. Телъыджэ Хицужиямэ гъатхэм зыдещI ЩIымахуэм и хьэмтетыгъуэр зэриухыу, ихъуреягъыр зэщIогъагъэ, зэщIопщIыпщIэ нэхэр игъэгуфIэрэ гум хуабагъэ кърилъхьэу. Абы щыгъуэм деж дунейм и дахагъыр зылъагъуну зи нэ къикIхэм Хицужиямэ (Hitsujiyama Park) япон хадэм зэ нэхъ мыхъуми зыщаплъыхьыфамэ, сыту хъарзынэт! Япон щIыуэпсым и дахагъым кIэншэу утепсэлъыхьыфынущ. Уафэм хуеIэ бгы лъагэхэмрэ тафэм щыгъагъэ удз щхъуэкIэплъыкIэхэмрэ апхуэдизкIэ зокIупсри, дуней телъыджэм укъыщегъэхутэ. Мэлыжьыхьым и кIэм щегъэжьауэ накъыгъэм ику пщIондэ а хадэм и теплъэр дэтхэнэ зы туристым дежкIи гуакIуэщ. А лъэхъэнэм абы удз гъэгъахэм я фестиваль щокIуэкI. Абы щыплъагъунур алэрыбгъу щхъуэкIэплъыкIэу узыIуплъэ удз хьэсэ инхэм я закъуэкъым, атIэ скульптурэ «гъагъэхэми» урохьэлIэ. Зи гугъу тщIы хадэм лIэужьыгъуий хъу къэкIыгъэу 40000 итщ. Абы ущитым деж Дайсецузан бгым ухуоплъэ. Уэсым щIихъума щыгумрэ тюльпанхэр щыгъагъэ джабэмрэ къагъэщI теплъэгъуэр гур зыхьэхущ. Флокс зэмыфэгъухэм нэмыщIи, балией миным нэс итщ Хицужиямэ хадэм. Ахэращ езыр япон гъатхэ дэрэжэгъуэм дамыгъэ хуэхъужри. Йошино балиейхэмрэ нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэмрэ я теплъэ, плъыфэ гуакIуэхэм зыри гупсэхуу къигъэнэнукъым. Къэбарт Мирэ. Унэгуащэхэм щхьэкIэ Шэ, шху дэпшхреймэ… Холестерин зи куэдым нартыхум къыхэщIыкIа шхыныгъуэ куэд ишхреймэ, холестериныр мащIэ ещI, Iэпкълъэпкъым хэлъ лейри къыхеху. Лы цIынэм мэ къимыщтэн щхьэкIэ шэрджэсхэм фо щахуэу щытащ. Мыващхъуэр къущхьэхъу кърахырт. Езы мывэр памцIэ цIыкIуу щытщ. Ар сапэкIэ ятхъунщIырт, сабэм хуэдэу къытекIар уIэгъэм трагъэщащэрти уIэгъэр хъужырт. КIэртIофым къыхэщIыкIа шхыныгъуэ куэд зышхыр пшэр мэхъу. Iэщышхуэ, Iэщ цIыкIухэм ял гъэвар щашхкIэ адыгэхэм бжьыныху шыпсым пIастэ ирагъэпщIыркъым, ирагъэпщIыр лыращ. ХьэлIамэ кIупIинэ хуабэм шэ, шху дэщIыгъуу щIэх-щIэхыурэ пшхымэ, абы Iэпкълъэпкъыр егъэкъабзэ, напIэ зэлъахэри егъэхъуж. Лъыр зи мащIэ цIыхум щынэ цIыкIу хуаукIырти, и тхьэмщIыгъур хуабэу кърахт, тыкъыр цIыкIуу яупщIатэрти, имыгъэныщкIуу ирагъэгъэлъэтэхырт. Хуэмышхыу Iумпэм ищIмэ, ягъэвэпхъырт. Къубатий Борис. Шхыныгъуэхэр Iыхьэурэ дзасэкIэ гъэжьа джэдыл Абы щхьэкIэ нэхъ къагъэсэбэпыр джэдыщIэщ. Джэд гъэкъэбзар псы щIыIэкIэ ятхьэщI, гъущэу ялъэщIри, Iыхьэурэ зэпкърах. Тепщэч мыулъийм иралъхьэ, шыгъу, цIыкIу-цIыкIуурэ упщIэта бжьыныху, шыбжий сыр хьэжа, бурш халъхьэ, псы щIыIэ тIэкIу щIакIэри фIыуэ зэIащIэ. И щхьэр трапIэри, зэхэшыпсыхьын щхьэкIэ дакъикъэ 30-40-кIэ щIыIапIэм ягъэув. Щагъэжьэнум деж джэдыл Iыхьэхэм бжьыныху тыкъырхэр кIэрахри я кIыхьыпIэмкIэ дзасэм паIу. Тхъуэплъ хъуху дэпкIэ ягъажьэ, лъэныкъуэ псомкIи шатэ щахуэурэ. Джэдыл жьар дзасэм къыфIахыжри, тепщэчым илъ пIастэ хуабэм и щIыIум тралъхьэ. Хуабжьу шхыныгъуэ IэфIщ, мэ гуакIуэ къыхихыу. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): Джэдылу — грамм 400 Бжьыныху укъэбзауэ — грамм 20 Шатэу — грамм 30 Шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз. Губгъуэджэш плъыжь гъэлыгъуа Губгъуэджэшыр (чечевица) ягъэлыгъуэн щхьэкIэ зэхащыпыкI, шыуан е тебэ куу иракIутэри пэшхьэкум трагъэувэ. МафIэ щабэм тету чымчыркIэ зэIащIэурэ тхъуэплъ дахэ хъуху, дакъикъи 10-12-кIэ, ягъэлыгъуэ. ИтIанэ тIэу-щэ щIагъэпщ. Губгъуэ джэш гъэлыгъуар яшх нартыху гъэлыгъуам хуэдэу икIи хуабжьу сэбэпышхуэщ фошыгъу уз зиIэхэм дежкIэ. Халъхьэхэр: Губгъуэджэшу — грамм 200 Джэш гъэлыгъауэ къыхокI грамми 180-рэ. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. ЖыIэгъуэхэр Гум и лIыгъэ ГурыщIэращ акъылыр зыунэтIыр. Сабийхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIым къэралым и къэкIуэнур еубзыху, абыхэм я дахагъым наIуэ къищIыр лъэпкъым и фIэрэфIагъырщ. IэштIым пщIауэ гупсысэ убзыхуа уи щхьэм къихьэнукъым. Лъагъумыхъуныгъэм акъылыр егъэутхъуэ. ЦIыхур апхуэдэщ — и гъащIэ псор зытригъэкIуадэр зыгуэр зыIэригъэхьэнырщ, армыхъумэ а къыIэрыхьам иринасыпыфIэфкъым. Гум имылъагъур нэми илъагъукъым, нэм пэIэщIэр гуми пэжыжьэщ. Жылагъуэ зэхэтыкIэр, щэнхабзэр, хабзэр зыхуэдэм къегъэлъагъуэ ар зезыхьэ лъэпкъым и дунейр. Гум лIыгъэ къыщызэкъуихым деж Iэри хахуэщ. Дэтхэнэ адэ-анэми езым и сабийм нэхърэ нэхъ дахэ щымыIэу къыщохъу. Губзыгъэр нэгъуэщIым и щыуагъэм егъэIущ, делэм дерс къызыхихыр езыр лъэпэрапэмэщ. Хъурей Феликс. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 5. Бзугъащтэу хадэм ирагъэувэ. 7. ФадэхэкI. 9. … нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ. 11. ЕгъэджакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 12. Ди лъэпкъэгъу, Къэрал Думэм и депутат. 13. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 15. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ театрым и джэгуакIуэу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ. 17. ПамыупщIу гъэ техьа удз. 18. Щыгъэ лъапIэхэр абы къыхащIыкI хабзэщ. 20. Къыкъуэуурэ къепщэ жьы. 21. Пащтыхь тетIысхьэпIэ гъэщIэрэщIа. 25. Зи къудамэхэр теухъуэнщIыкIа жыг лъэдий гъум. 26. Ахъшэ егъэзыпIэ. 30. Псыежэх, район. 32. Зыгуэрым и лэжьыгъэр дагъэпсынщIэн папщIэ (унэ щищIкIэ ) гъунэгъухэр, ныбжьэгъу-Iыхьлыхэр зэхыхьэу зэхаублэ Iуэху. 34. КъурIэн цIыкIу. 35. Къуажэ «транспорт». 36. А унэцIэр зэрахьэ жэмышу лэжьа, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьми художник цIэрыIуэми. 37. ЦIыхухэр зыхуей хуэзэн папщIэ къуажэ унафэщIым Iуэху … куэд елэжь. 38. Диным зэрыжиIэмкIэ, щIэпхъаджагъэ щIэным телажьэ бзаджэнаджэ, езыр мынэрылъагъуу. 41. Адыгэ бзылъхугъэ уэрэджыIакIуэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ. 43. Жыг лъагэшхуэ. 44. Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ адыгэ къуажэ. 45. Адыгэ физик, Мэзкуу щылажьэ еджагъэшхуэ. Къехыу: 1. ЩIым гъуэ куу щызыщIу щыпсэу псэущхьэ цIыкIу, хьэпIацIэхэр зи шхыныгъуэ. 2. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, псым ихьыр абы йопхъуэ. 3. Псы ежэхым и … макъыр псэгъэ-псэхущ. 4. Махъсымэ щащIкIэ халъхьэ пщагъэ. 6. Кърагъэблыжу жэмым къыщIаш шэ. 8. Лейтенант нэхъыжь, …, майор. 10. ХадэхэкI. 13. Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я щIыналъэхэм щыIэ псыежэх. 14. Къэнжал хьэку цIыкIу. 16. Мэл, бжэн егъэзыпIэ. 17. ЩIыIум нэгъуэщIу зэреджэр. 19. Къуаргъ лIэужьыгъуэ. 22. 4-нэ нэмэз щIыгъуэ. 23. Еджагъэшхуэ: лъэпкъым къыдекIуэкIыу щыта, кIуэдыжу хуежьа IэщIагъэ куэд къэзыгъуэтыжу тхылъу къыдэзыгъэкIыжа … Хьэзрэталий. 24. Гуэгушыхъум, къазыхъум я бгъэм трищIэ пшэрыпIэ. 27. Адыгэ лъэпкъ. 28. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ. 29. Хъуржынышхуэ. 31. ХьэщIэ лъапIэм и цIэкIэ … зэхашащ. 32. Къамышым нэгъуэщIу зэреджэр. 33. Адыгэш къабзэ. 34. Таурыхъхэм узыщрихьэлIэ шы лъэрызехьэ: икIи мэпсалъэ, икIи мэлъатэ. 39. Зэпыш, зэпылъэф, гъэшыгъуафIэ. 40. Зыгуэрым и зэхуэдитI. 41. Лъагэу зэтекIута гуэр. 42. Тутын … е пхъэ … Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Гъатхэпэм и 8-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 5. Абхъаз. 7. Лъабзэ. 9. Ужьэ. 11. МыщIэ. 12. Нало. 13. Хьэлэбэлыкъ. 16. Бажэ. 17. Арму. 20. Дудакъ. 22. Хъэуан. 23. Жагъын. 25. Хьэмыщэ. 26. Къэптал. 29. Жырыкъ. 31. Башар. 33. Хьэиуэ. 34. Заур. 35. Уанэ. 36. УафэхъуэпскI. 39. Ахъуэхъу. 41. Бжэн. 42. Гъудэ. 44. Жыгей. 45. Щтауч. Къехыу: 1. Гъубжэ. 2. Набдзэ. 3. Къанлы. 4. Азэн. 6. Кхъужь. 8. Къызбрун. 10. Алаушын. 13. Хьэлъкъ. 14. Баку. 15. Къанж. 18. Пхъэщабэ. 19. Андэгурэ. 21. Апэсы. 24. Адакъэ. 27. Шыбзыхъуэ. 28. Жумэрэн. 30. Къару. 32. Шыпхъу. 33. ХьэукI. 37. Аргъей. 38. Сэнтх. 40. Хъудыр. 41. Брул. 43. Ду.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26046.txt" }
Сэтэней и нэзкIапэ, Бэдынокъуэ и пшапэIус Адыгэбзэ псалъалъэ иужьрейуэ къыдэкIам псалъэ 31000-рэ итщ. Абыхэм ящыщу къэдмыгъэсэбэпыр куэдыкIейщ. Щхьэусыгъуэри къызэрыгуэкIщ: псалъэр зэхьэлIар ди гъащIэм хэтыжкъым (ар хьэпшыпым е лэжьыгъэм епхауэ ирехъу) е апхуэдэ псалъэ зэрыщыIэм дыщыгъуазэкъым. Хамэ къэралыбзэхэм къыхэкIыу, техникэм, нэгъуэщI къинэмыщIхэм епхауэ ди бзэм къыхыхьэхэр апхуэдизкIэ куэдщ, къыхыхьэну «бжэм къытеуIуэхэри» нэхъ мащIэкъыми (щIэныгъэм щIэуэ цIыхуцIэ зиIэм къритым епхауэ), уегъэгузавэ. Бзэм и къарур куэдрэ хурикъуну пIэрэ, дэ зедгъэлIэлIэфыну ар къедгъэлыным, хьэмэрэ нэмыцэ, франджы, инджылыз, япон, хьэрып псалъэхэм ди анэдэлъхубзэр щхьэуназэ едгъэщIыну? НэгъуэщIхэм ейр къэтщтэныр тынш дыдэщ, «представляешь, даже къеплъэкIакъым ар си дежкIэ» псэлъэкIэм хуэдэм хуэкIуа ди нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми ар нэхъ къыхахыу къыщIэкIынт, «адыгэбзэр кIуэдыжхэм ящыщщ, сыт абы лейуэ гугъу зыдебгъэхьыжкIэ», жаIэу уагъэкъуэншэжыну хэту. А гупсысэкIэм дытетмэ, ди Iэр зэтедзауэ дыщысу тшхынури щыттIэгъэнури, машинэри, жып телефонри нэгъуэщI къэралхэм къыттракIутэнущ (и нэхъыбэкIэ абы дыхуэкIуагъэххэщ). Ауэ зиIэр зымыхъумэ, зызымыузэщI, лэжьыгъэмрэ щIэныгъэмрэ гугъу зыдезымыгъэхьым къыпэплъэр сыт? Акъмыкъыгъэщ («тупость» жыхуаIэрщ). Абы къигъэщIынури Iуэхуншэрэ фадафэрэщ (мы жысIэм и нэщэнэ флъагъуркъэ?). Иджы бзэм дежкIэ дгъэзэжынщ. ЩIэныгъэм къигъэщI Iуэхугъуэрэ Iэмэпсымэу ди гъащIэм къыхыхьэр апхуэдизкIэ куэдщи, мелуан бжыгъэкIэ цIыхущхьэ зиIэ лъэпкъхэр игъэгузавэ хъуащ ар я бзэм къыхуэмыгъэIурыщIэнкIэ е я анэдэлъхубзэр нэгъуэщI бзэхэм къыхэкIа псалъэхэмкIэ «куда» хъункIэ. Къапщтэмэ, сэ згъэщIэгъуащ Тыркум къиIэпхъукIыжауэ ди гъусэу лажьэ Хъуажь Фахъри жиIар. КъызэрыщIэкIымкIэ, компьютерыр къыщежьэм, абы хуэкIуэн псалъэ тыркухэм къагъуэтащ икIи ар псоми къагъэсэбэп хъуащ. Мелуан 60-м зэрынэхьэс франджыхэм я правительствэм терминхэмкIэ комиссэ егъэлажьэ. ЖыпIэнумэ, апхуэдэ комиссэ зимыIэ къэралыгъуэхэр нэхъ къебжэкIыгъуафIэщ зиIэхэм нэхърэ. НэгъуэщIуи хъунукъым, бзэхэр тхъумэну дыхуеймэ. Си нэгу къыщIызогъэхьэ «компьютер» псалъэм хуэкIуэн къэтлъыхъуэн хуейуэ зыгуэрым жиIауэ. Сыт ди быныр гугъу щIедгъэхьынур, тыншкъэ компьютер жыпIэмэ?- арагъэнщ адэ-анэхэм нэхъ зытрагъэщIэнур. Ауан хэлъу псэлъэни щыIэщ, апхуэдэ Iуэху щIызепхуэххэн щымыIэу къилъытэу. Ауэ мыр Iуэхум хэзымыщIыкIхэм я зэдауэкIэ къебгъажьи бухыжи хъуну къыщIэкIынкъым. ТерминхэмкIэ комиссэ щыIэн хуейщ, КъБР-м и Правительствэм игъэлажьэу. Абы хэтыну тхакIуэхэр, усакIуэхэр, бзэмкIэ щIэныгъэлIхэмрэ журналистхэмрэ зэгурыIуэфынщ адыгэбзэм, балъкъэрыбзэм я дежкIэ нэхъыфIым теухуауэ. Ауэ а комиссэр дызэримыIэуи, щIэнгъуазэ (энциклопедия), гъуазджэ (искусство), щIыуэпс (природа), нэгъуэщI псалъэхэри бзэм къищтащ. Нало Заур и тхыгъэ гуэрым сыщрихьэлIащ «хъупхъапщIэ» (приз) псалъэм. Дыгъужь ФоIэд ейм хэтщ «пIэщIру» жиIэу (реакцэ къикIыу). Зи гугъу сщIа Хъуажь Фахъри сэнаушыфIэ (талантливый), уэщIэныгъэрылажьэ (метеоролог), гуащIэхуэгъафIэ (пенсионер), жьыуэпс (климат) псалъэхэр ди бзэм хэтыпхъэу къелъытэ. Абы теухуауэ щIэныгъэлIхэм жаIэнур тщIэркъым, ауэ щIэнгъуазэр ттхыуэ щIэддзэри япхъуэтащи, мыбыхэми «я насып» къикIынри хэлъщ. Адыгэ псалъалъэр щIэзджыкIыжащ, сыт къытхуэгъэсэбэпыну щыIэу, ди бзэм иIэ гъэтIылъыгъэр «иджырей адыгэбзэм» сыткIэ щхьэпэну пIэрэ, жысIэри. Зызумысыжынщи, щIэ куэд къэслъэгъуащ, уеблэмэ апхуэдэ псалъэм сызэрыщымыгъуазэм сыщриукIытэжаи къысхуихуащ. Ахэр къытхуэзыгъэна нэхъыжьхэм я псэр гугъу едгъэхьу, хуэмыхуфи къыдаплъу къысщыхъуащ. Псалъэм папщIэ, дапщэм ящIэрэ гладиолусым (нэгъуэщI удз дахэхэми) адыгэбзэкIэ и цIэр, каретэр-щэ, купецыр-щэ, челкэр-щэ, пляжыр-щэ? Куэд мэхъу а «щэ»-хэр. ЕгъэджакIуэхэм, быным адыгэбзэ дерсхэмкIэ дэIэпыкъу адэ-анэм, телевиденэмрэ радиомрэ, газетхэмрэ журналхэмрэ я лэжьакIуэхэм къагъэсэбэп хъун псалъэхэу къысщыхъуу къыхэстхыкIахэм фэри фриплъэну сыхуейт. Мыхэр псалъэ къудейкъым, атIэ IуэрыIуатэм, тхыдэм, щIэныгъэм, дыкъызытехъукIахэм я бзэм зэрызрагъэужьа щIыкIэм гъэщIэгъуэныщэу хэлъым ущызыгъэгъуазэщ. Гу лъывэзгъэтэнут плъыфэхэмрэ цIыху Iэпкълъэпкъым щыщхэм зэреджэмрэ. СызэреплъымкIэ, ахэр урысыбзэкIэ нэхъ жытIэ хъуащ, ди адыгэбзэр зыхуримыкъужщ. Бзэм хэтщ а псори, къытфIэIуэхуу утыку къитшэжыным яужь дитынумэ. ШИРДИЙ Маринэ. Аршав — мельхиор. Асу (къэуат) — питательность, калорийность. Ащ, шхэпс — клейстер. Бэкъулауш — носилки. Бэрэздж — пост, постный день, гоновенье. Чристэнхэм лы щамышх махуэ. (Джэдур лым лъэмыIэсмэ, си бэрэздж махуэщ, жеIэ. Псалъэжь.) БэрэскIэ — праздник, выходной день. Щымылажьэ, зыщагъэпсэху махуэ. Бэтэгъей — вышка, каланча. ЛъагапIэ, зыплъыхьыпIэ. БжэIут — швейцар. Бзэпсу — точно, правильно, налажено. Тэмэму, екIуу. Бзэпсу Iуэхур екIуэкIын. (Уи гъуэгур бзэпсу уи псыр чэнджмэ, уехъулIащ. (Псалъэжьщ). Пыпхэ — огородное чучело. Быр-шыр — шум-гам. Быфэкъуэ — приемный сын. Быфэкъуэ адэ, быфэкъуэ анэ. Вагъэплъ — поле, на котором всходы или не взошли или погибли. (Ди щIыр къэдгъэнэнкъым вагъэплъу). Вэнтхъулэ — дикое поле. Удзыжьым зэщIищта губгъуэ, щIыналъэ ябгынэжа. ВымпIу — бирюк (о человеке). ЦIыхухэм яхэмыхьэ, зыщызыдзей. Гуащэщхьэц — гладиолус. Губгъуэжыхапхъэ — амброзия. Гугъэндыгъэн — стать нерешительным. Гугъэндыгъэну — нерешительно, неуверенно. Гунэ-гупсэ — ласковый, вежливый. Гунэ-гупсэ зыхуэщIын — подлизываться. Гуимэ — карета. ГъадэщIыдэ — вечность. КIэи пэи зимыIэ зэман. Гъэбэракъын — возвеличить, возвысить. Гъэгъущ — промокательная бумага. Гъейрэт — гъейрэт ещIэкIын, ревность. Гъуанэдэплъ — униженный, забитый. Гъуанэдэплъ нэ плъэжыгъуэ егъут (Псалъэжь). ГъуатIэ — медно-рыжий. Гъуэжь-морафэ — желто-коричневый. Гъуэжь-сырыхуфэ — грязно-желтый. Гъуэплъ — медно-красный. Гъуэ-уэгуш — каурый. Гъуэфылъэ — лощина. Гъуэ-фIыцIафэ — темно-рыжий. Дэжыг — купец. Сату щIыныр зи IэщIагъэ цIыхум пасэм щыгъуэ зэреджэу щыта. ДэкIуэдэжэ — подхалим, приспешник. Зыгуэрым къыкIэлъызыжыхь, хуэжыIэщIэ. Дэнагъэ — межа (нераспаханная полоса земли между отдельными участками). Дерыркъын — пить что-либо вприкуску. Шейм фошыгъу дедыркъын. Дерсэгъу — одноклассница, однокурсница. Джырыдж — яркий (о цвете). Узримыгъэплъу щхъуантIэ джырыдж. (Егъэлеяуэ нэм къыIууэм хужаIэ). Дзажэпхъэбгъу — силач, атлет, къаруушхуэ зыхэлъ цIыхум хужаIэ. Дзэуэкъуэдзыхь — доверенное лицо (хэхыныгъэхэм ехьэлIауэ къэбгъэсэбэп хъунущ). Елбэту — срочно, экстренно. Елбэту нэсын. Ерыхь-ерышх — грабитель, вымогатель. Жагъыщэ — обаятельный. УзыIэпызышэ. Жасус — шпион. ТIасхъэщIэх. Жэталэ — необузданный, неуправляемый. Жэуапшы — остроумный, находчивый. Жьагуэ — косноязычный. ЕкIуу мыпсэлъэф. Жьэпкъдауэ — долго и горячо спорить. Жьыхъарз — вихрь. Жьы кIэрахъуэ. Закъуэрылажьэ — единоличник. Зэпщ-зэгъажьэ — название сорта хлеба. Япща нэужь, мыгъэтэджу ягъажьэ. ЗэщIыс — внезапно (зэуэ жыхуэтIэр). ЗэIурыдзэсыкIын — находиться в агрессивном, разгневанном состояний (хуабжьу къызэщIэплъэн). Купсэ — середина, центр. Къалъху-и-лъхуж — потомство. ЩIэблэ. Къалъху-и-лъхуж къимыгъанэу и лъэпкъыр зэщIикъуэри лIыжьыр Iэпхъуащ. (IуэрыIуатэ). Къуэрэдэрэ — можжевельник. Къуэтыр — шпинат. Къуэшырылъху — племянник, племянница. Къулъшыкъу — приблизительно 10 часов утра. Къулъшыкъушхуэ — приблизительно 11 часов утра. Къулъшырыф — монастырь. Къунпэн — стужа, мороз. Къурмакъей сыдж — кадык. Къутыргъэн — надменный, гордый. Къуху — пуговка. Къупщхьэ щIыIу цIыкIу. Бостейм къуху идэн. КхъаскIэ, кхъащкIэ — горсть земли, которую сыплют в могилу. Кхъухь увыIэпIэ — причал. Кхъухьбелагъ — весло. Кхъухьзехуэ — рулевой (на судне). Кхъухьтет — капитан. Кхъухьшы — жьы еплъ кхъухьтет. Кхъухьыдзэ — эскадра. Лакъ — клюшка для игры в мяч. Лэгъунвакъэ — тапочки. Лэчдагъэ — олифа. Лыхьэлывэ — пирог с мясом. Лыхъулышх — цинга. Лъакъуэвабдзэ — плоскостопие. Лъапэрыт — вид обуви без задников (шлепанцы). Лъапэнэф — близорукий. Лъагъуэхэш — проводник. Лъапащэ — косолапый. ЛъэгущIэдз — коврик. ЛъэгущIыхь — подошва обуви. Лъэдакъачэ — пятка с потрескавшейся кожей. Лъэзэхэпхъэ — отнимать, о ногах (от испуга или неожиданного горя). Лъэкъыкъ — падать, валиться с ног. СыкъакIуэ-сыкIуэжурэ лъэкъыкъ сыхъуащ. ЛъэнкIапIафэ — телесный цвет. Лъэрымывэ — точильный камень. Лъэсгъажэ — соревнование по бегу. ЛIакъуэ — кровное родство. Лъакъуэджэ — сбор мужчин одной фамилии. ЛIынэ-лIыпсэ — влюбчивая. ЛIыIэдэ — строгий мужчина. ФIэлIыкI зиIэ, лIы ткIий. ЛIыIэдэ и унагъуэ нэмыс илъщ. (Псалъэжь). Мае -питательный, калорийный. Мажьэбз — расческа с частыми зубьями. Мажьэхъу — расческа с редкими зубьями. МэракIуэIэрысэ — клубника. МэзгъэфIэн — заповедник. Маржан — рубин. Мывэ лъапIэ лъэпкъ. Марыбз — портниха (дэрбзэр). Марыхъу — портной (IуэрыIуатэм хэтщ). Мывэкъэб — туф. Мывэсэху — известняк. Мыстыхъу — канифоль. Мыхьэ — суверенитет. Щхьэхуитыныгъэ нэс. Мыхьэ иIэн, мыхьэ гъуэтын. Мыщэхупщей — рябина. Мыщхъуэмыфэ — невзрачный, незаметный. Налкумыщ — ртуть. Джынасу. Нахътэ — точка. Нэбажэ — сокол (къашыргъэ лъэпкъ). НэджащIэ — глазное дно. Нэджыдж — роговица. Нэзэрыхъэ — висок. НэзкIапэ — челка. Си нэзкIапэ нэжьгъуцхэр щIэхыу къыщIэжьыкI. Нарт IуэрыIуатэм хэтщ Сэтэней жиIэу. (НатIэц псалъэри диIэщ челкэ къикIыу). Нэку — глазное яблоко. Нэрынэ-нэрынэу — блестящими каплями. ТкIуэпс цIухэу, ткIуэпс лыдхэу. Нэтх-пэтх — об очень красивой девушке, женщине. Нэхущвагъуэ — Венера. НэшкIул — подглазье. Нэшх-пэшх — время, когда ненастье сменяется хорошей погодой. Номейуэ — на глаз, на глазок, приблизительно. Ныбажэмыжакъуэ — дизентерия. НыбэлынцI — пищевод (Iумрэ лъатэмрэ зэпызыщIэ). Ныкъуей — ветер (хы ФIыцIэмкIэ къикI жьыбгъэ). Пажэгъуэ — юность. Зи балигъ хъугъуэ. (Былэ зи пажэгъуэ нэсауэ бынитI иIэщ). Папыщ — комнатные тапочки. Бэдынокъуэ къыщимыгъазэм, Сэтэней гуащэм папыщыр зыпелъхьэ, и лъэуей кIэщIым къоувэ. Пэкукъу — носовая перегородка. Пэкъуу — клей-еловик. Псейм, уэздыгъейм къыпхивращ. Пэлынц — видимая часть носовой перегородки. ПэщIыжалъэ — умелый подражатель. Хьэл-щэнкIэ хэти ещхь зызыщIыф. Пкъыуэ — паралич. Плъыгъэ — жар, температура. Псэуэгъу — сожитель. Уэрэ сэрэ псэуэгъу дызэхуэхъунукъым, — жиIащ хъыджэбзым. (IуэрыIуатэ). Псэфылъэ — глотка. (КъурмакъеищIэ кумбыр. Къуэм и псэр анэм и псэфылъэщ). Псейщэху — тис. ПсыдэуапIэ, псыдыхьэ, псыкIэдэхуэ, хыжьэ жиIэуи щыIэщ — залив. Псыпыху — прибой. Псырышэ бжьамий — водопроводная труба. Псыфэ — сивый (о масти). Мыщхъуэ дыдэу щхъуафэ зытеуэ. Гупсысэу хуежьэм, псыфэ къытоуэ. (Псалъэжь). ПхэщIэдз — подгузник, (памперсым щхьэкIэ къэдгъэсэбэп мыхъуну пIэрэ?). Пхыгъэ — тюк. Зэпхъурылъхуэгъу — дети сестер. ПшапэIус — полдник. Бэдынокъуэ бланэ гъэшхар зи пшапэIус, уи шэсыгъуэр къэсащ… (Нартхэр). Пщэпс, лэрыпс — цепочка. Пщыпхъу — княжна, золовка. ПщIантIэзехьэ — дворник. СабийгъэудэIу — няня. Сэхусэплъ — косметика. Мывэху унэжьу Нартыжь джэгупIэм Сэтэней зыщегъэпс, сэхусэплъи йоуэж. Тэхъуанэ — хижина, тэхъуанэжьей — домик. Тхьэгурымагъуэ — прорицатель, предсказатель, вещун (усэрэши жаIэ). Тхъыхь — овал (ХуэкIыхь хъурейуэ, джэдыкIэм ещхьу къэтхъыхьа). Тхъуэбзащхъуэ — сера. Тхъуэш — серо-голубой. Тхъуий — гречиха. ТIамы — апельсин. ТIэрикъэт — религиозный фанатик. УафэпхъэнкI — снежная крупа, выпадающая в конце зимы. ЩIымахуэкIэм къес уэс пхъашэ. Уащхъуафэ — голубой, небесного цвета. Уащхъуэдэмыщхъуэу — неожиданно, внезапно. Уэбэуфэ — пасмурный. Уэрамыщхьэ — улица, начало улицы, перекресток. Уэсэпсхэмыхьэ — белоручка. Лэжьыгъэм зыпыIузыдз, щхьэгъэтынш. Уэсыгъэ — вечно покрытый снегами. Уэтэу — ногайская юрта. (УпщIэкIэ зэщIэбгъа нэгъуей пщыIэ). Узышхуэ — эпидемия. Унащхьэпыхьэ — село, переживающее общее горе. Унэзехьэ — уборщица. УнэпыщIэ — пристройка к дому. УIэгъэпх — бинт. ФампIэ — пленка (Зыгуэрым, п.п. джэдыкIэм, телъ фэ пIащIэ). ФафIэгын — цикорий. Фэху — 1. Беловатый (Хужьыфэ, сырыхуфэ) 2. Лысый, не имеющий растительности, степь (Мэз зытемыт тафэ, щIы захуэ). Фикъ — серая ворона (Къуаргъ пщэху, дамэху). Фий — адыгская дудочка. Фияпщэ — тот, кто играет на адыгской дудочке. Щхьэгъубжэнэ — форточка. ХеящIэ — суд (хьэкум — суд, хьэкумыщIэ судья). Хыжькуий — шторм. Хьэкулъэ — духовка. Хыкхъуэ — дельфин. Хьэкъсын — цIыху яукIам гъуэгу зэхэкIыпIэм щыхуагъэув сын. Хьэлэжьей — густая каша из ячменной муки (кашэ лIэужьыгъуэхэм щхьэкIэ къэдгъэсэбэп хъуну пIэрэ?). ХьэлывапIащхьэ — края пирога. Хьэлывэм и нэз, и зэтегъэпщIапIэ. ХьэлывапIащхьэ зэпытхъын — есть чей либо хлеб-соль. (ХьэлывапIащхьэ зэпытхъыт, щауэ хьэщIэ, — къыбжиIэмэ, ауэ уи жьэм хуэпхьынкъым. Нарт хъыбархэм хэтщ Сэтэней жиIэу). Хьэшакъ — клюшка. Хьэтхауэ — посыльный, курьер. Хъандырэ — горшок (Къуит зытет кхъуэщын быхъу лъахъшэ). Хъумбылэ — плод хмеля. ЦитI — шерстяная ткань. ЦитIныкъуэ — полушерстяная ткань. Шамбыр — бамбук. ШэгъэфIэIу — щавель. Шэнтжьей — диван, топчан. Шэнтиуэ, шэнтхъар — кресло. Шэнтщхьэгуэ — табуретка. Шэнтыку — сиденье стула, кресла. Шэнтыкъу — подлокотник. Шхынхэлъхьэ — приправа, специи. Шхужь бэлагъ — большая тазовая кость. Шхужь къуапэ — тазовые кости, выступающие по бокам (Куэпкъыр зэрыувэ къупщхьэм (шхужьым) и къуапэ нэхъ лъагэр. Шынэ-шынэ — ромашка. Щтэращтэ — любовница. (IуэрыIуатэм ущрохьэлIэ а псалъэм). ЩхъуэкIэплъыкIэ — цветастый. Щхъуэмч — каштан. Шхуэмчжыг — каштан посевной (щхъуэмч къызыпыкIэ жыг). Щхъуэ-удзыфэ — серо-зеленый. Щхъуэ фIыцIафэ — темно-серый. ЩыблэIуш — громоотвод. Щыгъэ — бусы, ожерелье. ЩIакхъуэгъэтэдж — дрожжи. ЩIыдэ — арахис. Iэбжьанэ — ноготь пальца руки. IэбжьанэласкIэ — заусеница. Iэбжьанэнэф — палец руки, лишенный ногтя. Iэдакъэбжьэ — пядь (Iэдакъэ къиубыдым хуэдиз мардэ). Iэдий — предплечье (IэфракIэм къыщегъэжьауэ Iэбэлагъым нэс). Iэжбыж — комплект серебряных украшений на адыгском национальном мужском поясе (быж, мет, мывопцIэ, н.къ. къызэщIеубыдэ). Iэпкъынэ — суставы пальцев рук. Iэпкъынэ-лъэпкъынэ — суставы пальцев рук и ног. Iугъуафэ — дымчатый. Iунэуалъэ — дюбель. IупщIакIэ — уголки губ, рта. IутIыж — пасха.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26054.txt" }
Ныбжьэгъум и усэхэр Бажэ Хьэсэнбий Борис и къуэр къыщалъхуари, къыщыхъуари Арщыдан къуажэрщ. ШколакIуэу ар усэ, рассказ тхыным дихьэхауэ щытащ. ЕджапIэр къиухри, абы дзэм къулыкъу щищIащ. Армэ нэужьым ухуакIуэ IэщIагъэ зригъэгъуэтащ икIи IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылэжьащ. Хьэсэнбий и унагъуэкIи дахэу къекIуэкIащ. Зэщхьэгъусэхэм зы щIалэрэ хъыджэбзитIрэ зэдапIащ, IэщIагъэ ирагъэгъуэтащ, унагъуэ хъужахэу мэпсэу. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ныбжьэгъуфIу, къуэшым хуэдэу, пэжу къыздекIуэкIа Бажэ Хьэсэнбий блэкIа зэманым иту и цIэр къисIуэн хуей хъуащ. Ар илъэс 60-м иту нэгъабэ дунейм ехыжащ. Хьэсэнбий тхыгъэ и куэдщ, икIи ахэр зы тхылъ цIыкIуу къыдигъэкIыну и гугъащ. арщхьэкIэ, уз бзаджэр къытехьэлъэри, хунэсакъым. Си дежкIэ лъапIэщ абы и IэдакъэщIэкIхэр. Мурад сщIащ Хьэсэнбий и фэеплъу абы къигъэна и усэхэр, рассказхэр щызэхуэхьэса тхылъ къыдэзгъэкIыну. НэхъапэIуэкIэ абы и тхыгъэхэр газетхэм къытехуауэ щытащ. Нобэ фи пащхьэм идолъхьэ си ныбжьэгъум и усэ Iэрамэ. ГъукIэ Хьэсэнбий. Бажэ Хьэсэнбий ИстамбылакIуэ Зэманым жаIэ гуауэр игъэхъужу, ЛIэщIыгъуэ дыджыр гум иритхыкIыжу. КъытфIэщIми тщигъэгъупщэжу ар зэманым, Гур къеуэхуи имыкIыжыну къонэ. Бгъуэтын адыгэ ихужыну и гум Лъэпкъыр зыгъэтхьэджа Истамбыл гъуэгур, Инэралыжьхэм я IэрыкIыу Ахын лъы лъагъуэ кIуэцIрыкIыр? Иджыри къэскIэ гущIэм зыкъегъазэр Зэхехри гъыбзэу щаусар тенджызым. Сыныншэу щыжеяхэм хым и лъащIэм Хуэщыгъуэм яус гъыбзэри мымащIэ. Щхьэхуитыныгъэр зи хъуэпсапIэр Топыжьхэм ящI нэщэнэуапIэ. ЩIалэ къуданхэм я псэугъуэу Щаухыр гъащIэр зауэ губгъуэм. Хыр шыугъэ зыщIа нэпсыр КъызыщIэжар адыгэм я псэрщ. Гъыбзэ яусхэм я ежьууэ Сабий гъы макъхэр къехь акъужьым. Быдзышэм и пIэкIэ анэбгъэм Къиж лъыр мыжурэм и лъэужь уIэгъэщ. И нэпс а лъым хэшыпсыхьыжыр, Сабий мэжалIэм ирефыжыр. Адыгэ тхыдэм и тхылъ дыджым Гур игъэуфIыцIурэ дыкъоджэ. А тхылъым ит Истамбыл псалъэр Ди нэпсхэм яхуэхъуащ гъэжалъэ. Хьэдэ лъэмыжу Истамбыл гъуэгур Зэпрыдзащ ди тхыдэ гуауэм. Зэхигъауэрт уэгуми и нэгур Хьэдэ лъэмыжыр зи IэрыкI зауэм. Джатэ уIэгъэр мэкIыж зэманкIэ, Псэм щымыкIыжыр хэкум техуа дыркъуэрщ. Къыщымысхьами, тхыдэр удынкIэ, Къэтэджыжынущ лъэпкъым и лIакъуэр. Сыхуейт къыщIэздзэжыну гъащIэм Арат къыщIэздзэжамэ гъащIэм щIэуэ, И гугъуехьыр згъэвыжыну тIуащIэу. Гугъуехьыр нэсу зыхыумыщIэм, ГъащIэм и IэфIыр къыпхуэмыщIэ. СымыщIу зэи зым и жагъуэ, Ныбжьэгъу къэсщIыжынт сиIар жагъуэгъуу. Дэхуэх къахэкIмэ, защIэзгъакъуэу, Нэхъ салъыгъуэзэнт си къуэшхэм. Меданыр зэпысшынт лIэщIыгъуэу, Дакъикъэ къэс си дэрэжэгъуэу. Гужьгъэжьым гур езмыгъэхузу, Сыдэплъеинт сабий псэ къабзэм. ГукIэ Iэ ядэслъэу къуршхэм, Мывэ къалэ сыхуэхъунт си лъахэм. Адыгэхэр зы анэкъилъхуу Изгъэсыжынт я лъахэм гур щыпсэхуу. Адыгэу щикъухьам мы щIы хъурейм СалъэIэсу, къыщыскIухьынт дунейм. Къыдэсшэжыфтэм ахэр адэжь жьэгум, Нэхъ хуиту бэуэжынт, мыбампIэу си гур. Адэшхуэм и гукъеуэ Си адэшхуэр пщIыхьэпIэу солъагъу, Жэщ къэсыхукIи, къысхуохъу уэршэрэгъу. ЖеIэр псори илъагъуу, зэрищIэр ЗэрыдгъакIуэр купщIэншэу ди гъащIэр. Нэпсеягъэм ди нэр къыщипхъуэу, Зэман псынщIэм дыкIэлъыщIопхъуэ. Напэншагъэр ди мымэхъашэу, ХэтIысхьащ ди акъылым ахъшэр. Имыгъаплъэу щхьэхуиту ди нэр, Иубыдащ ди гупсысэр шейтIаным. Демыплъыххэу ар зэрыикIэм, Лъагъуныгъэр дохъуэжыр мылъкукIэ. Къыщыушри фыгъуэныр гу лъащIэм, Гъэр дищIащ зэрыщыту псынщIэу. ПхуэмыIуэтэщIын хуэдизу гуауэр, ХэкIуэдащ ди адэшхуэр зауэм. Къуэшыншэу мылъку зэзауэм дыкъегъанэ, Мылъку зимыIэр къэтлъытэжкъым къуэшу, Бийри беймэ, зэрытщIым ныбжьэгъу, ДигъэукIытэу ди гур иримыгъу. Тедгъэзэжащ Истамбыл гъуэгум, Мылъкум къабзагъэр ирихауэ ди гум. Аращ жэщ къэсыхуи си пщIыхьым Гузавэу си адэшхуэр къыщIыхыхьэр. Вагъуэзэшибл ЯмыIэу зэи, зэи уэгум иж, Вагъуэзэшиблыр я гъуэгу тетыжщ. Илъэс мин Iэджэ хъуауэ уэгум Къеплъыхыурэ, тхуаубзыху ди гъуэгур. КъысфIощI цIыху гъуэгури я нэIуасэу, Я бзийхэр щIым къытрагъапсэу, Ягъэкъуэшыныр я мыжагъуэу, Вагъуэ пэлъытэу ЩIыр ялъагъуу. Япэ лъэбакъуэ Нанэ-дадэ я псэ закъуэ, Тегушхуи, чы япэ лъэбакъуэр. Япэ лъэбакъуэр, япэ лъэбакъуэр Чы, дуней псор ууейщ уи закъуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26057.txt" }
Ягу ирихьами-иримыхьами сщIэркъым Тенджыз ФIыцIэ флотым и унафэщI, адмирал Лазарев Михаил (1788 — 1851) XIX лIэщIыгъуэм и 30 — 40 гъэхэм щхьэхуитыныгъэр зи гъащIэ гъуазэ, гъэIурыщIэгъуей убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ мызэ — мытIэу зауэлIхэр къапигъэувыну къригъэтIысыкIащ, тенджыз ФIыцIэм Iус адыгэхэр гущIэгъуншэу гъэкIуэдынымкIэ, урысыдзэм дэIэпыкъуу. Апхуэдэ «хьэщIэгъуэхэм» ящыщ зым хэтащ сурэтыщI цIэрыIуэ, тенджызым и теплъэр Iэзэу къэзыгъэлъэгъуэфу щыта ермэлы щIалэ Айвазовский Иван (1817 — 1900). 1878 гъэм «Русская старина» журналым къытрадза сурэтыщIым и гукъэкIыжхэм ящыщщ нобэ фи пащхьэ къитлъхьэ пычыгъуэ кIэщIыр: «Мэзым сыпхыкIа иужь губгъуэ хуитышхуэм сыкъихутащ; зэхэуэ нэужьым мыпхуэдэ сурэтщ си нэгу щIэкIар: сэлэт гуп, бэрэбанэм тес офицерхэр, игъэтIылъыкIауэ щылъ хьэдэхэр, шыгу зэщIэщIахэр. Си хьэпшыпхэр къэзгъэхьэзырри, зы гупым сурэт ятесщIыкIыну сытIысащ. Абы хэту зы шэрджэс щIалэ къызбгъэдыхьэри, къызэмыупщIыжыххэу, си сурэтхэр зыдэлъыр къищтэри, и гъусэхэм яригъэлъагъуну ирихьэжьащ. Си IэдакъэщIэкIхэр бгырысхэм ягу ирихьами — иримыхьами сщIэркъым, ауэ шэрджэс щIалэм ирихьэжьа сурэтыр лъы защIэу къызэрызитыжар сощIэж… ЗекIуэм и фэеплъу а щIыпIэхэм я «хьэлыр» къызытещыж сурэтыр сэ куэдрэ схъумащ». ГъукIакъуэ Идар. Прагэ къалэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26060.txt" }
Фыдыхьэшхынумэ, адыгэ уэрэд федэIуэнумэ, лъэпкъ къафэрэ пшыналъэрэ фыфIэфIмэ, гъатхэпэм и 26-м фрагъэблагъэ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм. Шоу-концерт иным хэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, къуэш республикэхэм я артист цIэрыIуэхэу, зи зэфIэкIкIэ цIыхубэр къыдэзыхьэхахэу Сокъур Ольгэ, Биштэ Азэмэт, Елдар Айдэмыр, Къуныжь Алим, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Балъкъэр Юрэ, Щэрмэт Людмилэ, Дым Елдар, Даур Иринэ, ЦокIыл Азэмэт, Аслъэн Iэсият, ТхьэкIумащIэ Аcлъэн, Багъ Любовь, Уэзрокъуэ Чэрим, Мэз Джульеттэ, Гуэн-гъэпщ Артур, Щоджэн Iэминэ, Тэрчокъуэ Алим, КIэрэф Иннэ, ДыщэкI Артур, Тхьэзэплъ Залинэ, «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр. Зи нэгу зезыгъэужьыну хуейхэр феужьэрэкI! УпщIэ зиIэхэр мы телефонхэмкIэ фыпсалъэ хъунущ: 47-71-42, 8(928) 075-56-49.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26066.txt" }
«Iуащхьэмахуэ» и япэ къыдэкIыгъуэр «Iуащхьэмахуэ» журналым мы гъэм и япэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Ар къызэIуех тхакIуэ Елгъэр Кашиф ГъукIэлI Батырбэч къиIуэтэжу итха «АдыгэлIымрэ адыгэшымрэ» тхыгъэмкIэ. Ар топсэлъыхь адыгэм шыр фIыуэ илъагъуу, зыпищI щымыIэу зэрыщытам.Абы кIэлъыкIуэу фыкъеджэнщ Айтэч «А пщэдджыжь уейпсейм…» зыфIища и рассказым. Тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIым зэрыжиIэмкIэ, мыр къэхъуа Iуэхущ: Налшык щыдэкIыжым, нэмыцэхэм пед-институтыр къагъэуэну зэрамурадар, уеблэмэ абы псори зэрыхуагъэхьэзырар еджакIуэ цIыкIуищым къызэпаудащ, институт унэм щIалъхьа лагъымым екIуалIэ кIапсэр зэпаупщIри. «Iуащхьэмахуэ» журналым еджэхэм я тхыгъэхэр» Iыхьэм щIэту къытрадзащ Шыгъушэ Алий итха «Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуозэж», «Уэращ си папэр» рассказхэр. Красноярск щыщ тхакIуэ-журналист Майстренкэ Валентинэ 2009 гъэм къыдигъэкIащ «Насып Iуащхьэ» («Гора счастья») документальнэ повестыр. Ар теухуащ Урысейм и цIыхубэ сурэтыщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академиемрэ ЩIДАА-мрэ я академик, профессор Пащты Герман. Ди лъэпкъэгъур иужьрей илъэс 20-м Красноярск къалэм щопсэу. Журналым тридзащ Майстренкэ и лэжьыгъэм щыщ Iыхьэхэр. Хьэтыхъу Владимир Урожайнэ къуажэм къыщыхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэм щыхуеджащ. ИужькIэ аспирантурэр Москва къыщиухри, кандидат лэжьыгъэри щыпхигъэкIащ. Хьэтыхъум Налшык дэт курыт еджапIэ №4-м щригъэджащ, иужьрей илъэс 35-м ди университетым щолажэ, иджыпсту кафедрэм и унафэщIщ. Владимир зэрыстудентрэ усэ етх, ауэ иджыри къэс утыку кърихьакъым. Журналым мы къыдэкIыгъуэм тридзащ Хьэтыхъу Владимир и усэ Iэрамэ. Адыгэ щэнхабзэм, литературэм гуащIэдэкIышхуэ хэзылъхьа КъардэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирикъуащ. Абы тепсэлъыхьу журналым тридзащ Нало Заур и «КъардэнгъущIым и батырыбжьэ», IутIыж Борис и «ХэкулI» тхыгъэхэр, Гъут Iэдэм и гукъэкIыжхэм щыщхэр, Шэрджэс Алий КъардэнгъущIым фэеплъу хуищIа «Пхуэдэ щыIакъым» усэр, апхуэдэуи итщ «Хъымсад и гъыбзэ» уэрэдыр. Балъкъэр усакIуэ Додуев Аскэр и ныбжьыр илъэс 60 ирикъуащ. Журналыр Аскэр йохъуэхъу икIи и усэ зыбжанэ Елгъэр Кашиф, Бицу Анатолэ, Уэрэзей Афлик сымэ зэрадзэкIауэ тредзэ. Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ щрикъум ирихьэлIэу журналым тридзащ Лапинский Теофил 1863 гъэм итха «Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ» лэжьыгъэм щыщу «Пщыкъуий и яужь зекIуэ» жыхуиIэр, офицер зауэлIым и гукъэкIыж «ТIасхъэщIэх» хъыбарыр. Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу журналым тридзащ Зеикъуэ къуажэм пщIэрэ щIыхьрэ иIэу дэса ХьэфIыцIэ Хьэзиз и гъащIэ гъуэгуанэм Ует Аслъэнбий тритхыхьа «Хьэзиз» тхыгъэр. ГубэщIыкI Владимир и IэщIагъэкIэ юристщ, республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм къалэнышхуэ зыпылъ лэжьыгъэхэр илъэс куэдкIэ щрихьэкIащ, иужьрей илъэс 20-м Урысей Сбербанкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIу щытащ. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытами, адыгэ хабзэм, тхыдэм теухуауэ, гъащIэм узыщрихьэлIэ мыхъумыщIагъэхэм тегузэвыхьу, абыхэм ехьэлIа гупсысэхэр итхыу къекIуэкIащ, ахэр щызэхуэхьэса тхылъи илъэсиплI и пэкIэ къыдэкIауэ щытащ, жыIэгъуэхэр зэрыт тхылъыщIэр иджыблагъэ иухащ. ГубэщIыкIым и лэжьыгъэщIэм журналым фыщегъэгъуазэ. Ацкъан Руслан и сонетхэр щызэхуэхьэсауэ къыдэкIа тхылъыщIэр зэпкърех ШащIэ Алик и «ГупсысэщIэхэр къэзыгъэуш» тхыгъэм. «Хъуэжэ и куэбжэ» Iыхьэм фыкъыще-джэнщ КъардэнгъущI Зырамыку итхыжауэ щыта гушыIэ хъыбархэм, Апажэ Ахьмэд и «УзыщIэнакIэр къыппокIуэкIыж» пьесэ цIыкIур. Абзуан Пщымахуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26068.txt" }
НыбжьыщIэ 200-м щIигъу хэту КъБР-м Спортымрэ туризмымкIэ и министерствэм ныбжьыщIэ 200-м щIигъу зыхэта спорт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр гъатхэпэм и 6-11 махуэхэм иригъэкIуэкIащ. ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм и щIыхькIэ студент щIалэгъуалэм бильярдымкIэ я зэпеуэ, Афганистаным щыхэкIуэда зауэлI-интернационалистхэм Iэпщэрыбанэ зауэмкIэ я фэеплъ зэхьэзэхуэ, щхьэзакъуэрыбанэ зэхэтымкIэ республикэ чемпионат, самбомкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджакIуэхэм я спартакиадэ къызэрагъэпэщащ. Налшык къалэ и «Классик» клубым щекIуэкIа бильярдымкIэ зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ КъБКъУ-м и студент Щокъарэ Болэт. ЕтIуанэ хъуащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым щеджэ Лэкъун Азэмэт. КъБКъУ-м щIэс Шадз Астемыр ещанэ увыпIэр къихьащ. Iэпщэрыбанэ зауэмкIэ зэпеуэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ спортсмен ныбжьыщIи 100-м. Ахэр гупищу зэщхьэщыкIырт: 12-13, 14-15, 16-17 ныбжьхэм итхэр. Абы щытекIуащ Куба къуажэм къикIа гупыр. Къулъкъужын щыщхэр етIуанэ хъуащ. Арщыдандэсхэм ещанэ увыпIэр ялъысащ. Щхьэзакъуэрыбанэ зэхэтымкIэ зэхьэзэхуэм и япэ зэIущIэхэр «Налшык» спорт комплексым, кIэух зэпеуэхэр Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм щекIуэкIащ. Абы хэта спортсмен 70-м нэхъыфIхэр къыхахри, мэлыжьыхьым и 24-м Псыхуабэ щызэхыхьэну Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и чемпионатым республикэм и щIыхьыр щызыхъумэну командэр зэрагъэпэщащ. Гуп къыхэхам хагъэхьащ япэ, етIуанэ увыпIэхэр къэзыхьа спортсмен 12. Ахэр Батэ Алим, КIэрэф Азэмэт (кг 65), Хьэтыхъу Аслъэн, ПщыхьэщIэ Альберт (кг 70), Бырхьэм Мухьэмэд, Хьэщпакъ Елдар (кг 77), Шыд Тимур, Жамбей Амирлан (кг 84), Мимотулаев Исса, Уянаев Альберт (кг 93), Шамилов Хабибулэ, Шамилов Рэмэзан (кг 93-м щIигъу) сымэщ. 1997-1998 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм самбомкIэ я зэхьэзэхуэр Бахъсэн къалэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ республикэм и райони 5-м я спортсмен 48-рэ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта зэпеуэхэм текIуэныгъэхэр щызыIэрагъэхьащ Куржы Рустам, Темрокъуэ Азэмэт, Шэру Муртаз, Щомахуэ Ахьмэд, Газаев Хьэнапи, ЩоджэнцIыкIу Сослъэн, Биттиров Тимур, Жылау Альберт, Мату Нурдин, Мусуков Исхьэкъ сымэ. Командэхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщахьащ бахъсэндэсхэм. Шэджэм районым и лIыкIуэхэр етIуанэ хъуащ. Ещанэ увыпIэр Налшык къалэ и командэм лъысащ. Зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьа спортсменхэм медалхэр, щIыхь тхылъхэр, кубокхэр иратащ. Чемпион хъуахэм КъБР-м и командэ къыхэхам хэту республикэм и щIыхьыр щахъумэнущ Армавир къалэ щекIуэкIыну КИФЩI-м и еджакIуэхэм я спартакиадэм. Гъэунэ Светланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26071.txt" }
Джэду Iэниуаррэ Урыш Анзоррэ Тбилиси макIуэ Гъатхэпэм и 19-24-хэм Куржым и къалащхьэм щекIуэкIынущ бэнэкIэ хуитымкIэ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ, цIыхубз бэнэкIэмкIэ Европэм и чемпионат. Джэду Iэниуар Урыш Анзор БэнэкIэ хуитымкIэ Урысей Федерацэм и щIыхьыр яхъумэну дзыхь хуащIащ килограмм 74-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм хэтыну Джэду Iэниуаррэ килограмм 84-м нэблагъэхэм еныкъуэкъуну Урыш Анзоррэ. Европэм и чемпионатым хэтыну Джэдумрэ Урышымрэ хуитыныгъэ къахьащ мы гъэм и пэщIэдзэм Ярыгин Иван и щIыхькIэ къызэрагъэпэща дунейпсо зэпеуэм зэрыщытекIуам и фIыгъэкIэ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26075.txt" }
ПлIэнейрэ цIыхубэ артист Нэхущ Чэрим Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми фIыуэ къыщацIыху уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим и пшыхь гъатхэпэ мазэм и пэщIэдзэм Черкесск къалэм щекIуэкIащ. ЦIыхушхуэ щызэхуэса пэшым, псори щыту ирагъэблэгъащ фIыуэ ялъагъу артистыр. Нэхущым, зэрыгурыIуэгъуэщи, и закъуэтэкъым, цIыху 70 хъу и лэжьэгъу гупыр щIыгъут. Куэдым фIыуэ ялъэгъуа уэрэдхэр, къэрэшеибзэкIэ игъэзэщIари хэту, пшыхьым кърихьэлIахэм яжриIа иужь, Чэрим япэу утыку кърихьащ и ныбжьэгъу пэжу щыта Хъупсыро- къуэ Назир и фэеплъ уэрэд. Концертым и кIэух хъуащ Iуэху гуапэ: Нэхущ Чэрим къыфIащащ «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр. Иджы ар Адыгэ, Ингуш, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ артистщ. КIУЭКIУЭ ХьэIишэт.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26079.txt" }
Футбол Фыдогъэблагъэ! Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизион ТIощIрэ еплIанэ джэгугъуэ «Спартак-Налшык» — «СКА-Энергия» (Хабаровск) Налшык. «Спартак» стадион. Гъатхэпэм и 18. Сыхьэт 18-м.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26084.txt" }
Зеиншэхэр, адэ-анэхэм ямыпIыж сабийхэр къэзыщтэнухэм къыфпоплъэ Республикэм и цIыхухэ! «Урысей зэкъуэт» партым и УнафэщIым и щIыналъэ жылагъуэ егъэблэгъапIэм цIыхухэм чэнджэщ щрат и IуэхущIапIэм сабий зеиншэхэр, адэ-анэхэм ямыпIыж сабийхэр къэзыщтэну хуейхэм къащыпоплъэ. Сабий зыпIыну хуейхэр щыгъуазэ ящIынущ сабий зеиншэхэр, ныкъуэдыкъуэхэри яхэту, зэзышэлIэну мурад зыщIхэм къэралыр къазэрыдэIэпыкъуну щIыкIэм. 2013 гъэм гъатхэпэм и 22-м сыхьэтипщIым къыщыщIэдзауэ пщыкIублым нэс Налшык къалэ, Лениным и проспектым тет 48-нэ унэм къыщыфпоплъэ фи упщIэ псоми жэуап къезытыфыну IэщIагъэлIхэр. ФыщIэупщIэ хъунущ мы телефонымкIэ: (8662) 77-00-40.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26088.txt" }
«Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и зи чэзу лъэхъэнэр спектаклыщIэкIэ къызэIуихащ. Мы махуэхэм абы щагъэлъэгъуащ Толстой Алексей и «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» («Орел и орлица») пьесэм къытращIыкIа спектаклыр. Ар игъэуващ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Абхъаз республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр, режиссер Фырэ Руслан. Тхьэщыгъуей Жаннэрэ Шыбзыхъуэ Басиррэ Гуащэнэрэ Грозный Иванрэ я ролхэр ягъэзащIэ. Спектаклым хуагъэфэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм театр гъуазджэм щигъэува грантыр, абы къыпэкIуа мылъкур псори текIуэдащ артистхэм я щыгъынхэмрэ сценэр зыхуеину хьэпшыпхэмрэ. Пьесэр зытеухуар урыс пащтыхь Грозный Иванрэ Идар Темрыкъуэ ипхъу Мариерэ (Гуащэнэ) яку къыдэхъуэ лъагъуныгъэм и закъуэкъым, атIэ абы и лъабжьэр куэдкIэ нэхъ куущ. Спектаклым къыщыгъэлъэгъуэжащ Урысей къэралыгъуэм и тхыдэм щыщ зы Iыхьэ, пащтыхьыгъуэ лъэхъэнэм цIыхухэм я зэхэтыкIар, фыгъуэижэм, щхьэхуещагъэм, къулыкъу щIэкъуным лажьэншэ куэдым я гъащIэр зэрихьар. Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэм фIы дыдэу къайхъулIащ а зэман жыжьэм икIи хьэлъэм дыхашэжын. Iэзагъышхуэ хэлъу зи ролхэр зыгъэзащIа гупым Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм и къежьапIэр дигу къагъэкIыжкIэрэ, абы зи гъащIэр тыхь хуэзыщIа адыгэ бзылъхугъэ цIыкIум хамэщIым щигъэкIуа илъэсхэм дыхахьэжри, а лъэхъэнэм сыхьэтитIым щIигъукIэ «дыхагъэпсэукIащ». Мыбдеж иджыри зэ ди нэгу щыщIэкIащ къулыкъу лъагэ зыIыгъ цIыхур и щхьэ зэрыхуимытыжыр, сыт хуэдиз зэфIэкI абы имыIэми, езым зэрызихъумэжын къару зэрыбгъэдэмылъыр. Пащтыхь Грозный Иван тхыдэм къызэрыхэщыжыр цIыху ткIийуэщ, гущIэгъуншэущ, спектаклым абы ущыкIэлъыплъкIэ уогупсыс: «И щхьэмрэ езым нэхъ и гъунэгъу цIыхухэмрэ ихъумэжын папщIэ апхуэдэ «нэкIуIупхъуэр» къимыгъэсэбэпу пIэрэ?» - жыпIэу. Ауэ абыи къихъумакъым ар. Тыншкъым зэхуэдэу цIыху псоми я арэзыныгъэр къэблэжьыну, фитIнэуэ къыбгъэдэту дзыхь зыхуимыщIхэм я гугъу умыщIыххи, къепцIыжыну зыхуимыгъэфэщэхахэми хуэм-хуэмурэ и щIыб къыхуэгъэзащ абы. ХамэщIым къыщыхутэу фыгъуэижэмрэ щхьэхуещагъэмрэ щытепщэ пащтыхь уардэунэм илъэсийкIэ зи гъащIэр щезыхьэкIа адыгэ пщащэми игъэвар мащIэкъым. ИтIани ар зыхыхьахэм яхэтащ къызыхэкIа лъэпкъым хуэфэщэну, и щхьэгъусэм и Iуэхухэр диIыгъыу икIи хуэпэжу бгъэдэтащ… Арат и натIэм къритхари, пащтыхьым и жагъуэгъухэм яIэщIэкIуэдащ. Хуэхъумакъым ари апхуэдизу къанлыуэ ялъытэу щыта пащтыхьым… Спектаклым щыджэгуа дэтхэнэ зы артистми хуагъэфэща ролыр дагъуэншэу игъэзэщIащ. Я Iэзагъэр зыхуэдэр иджыри зэ ди нэгу щIагъэкIащ УФ-м щIыхь зиIэ и артистхэу Шыбзыхъуэ Басир (Грозный Иван), ЖьакIэмыхъу КIунэ (пщы гуащэ Старицкая), Балъкъыз Валерэ (Курбский пщыр), КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Тхьэщыгъуей Жаннэ (Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ), Къумахуэ Мухьэдин (Оболенский пщыр), КIэмыргуей Валентин (Сильвестр), Лу Рамэзан (Воротынский пщыр), Хъыдзэдж Борис (Репнин пщыр), Ингуш республикэм щIыхь зиIэ и артист Хьэщэ Къанщобий (Филипп) сымэ, нэгъуэщIхэми. Къыхэгъэщыпхъэщ пьесэр адыгэбзэм дахэу, шэрыуэу къызэрырагъэзэгъар. Илъэс 20 и пэкIэ ар театрым папщIэ зэридзэкIауэ щытащ Къуэдзокъуэ Хьэсэн. «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» спектаклыр Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкум щыгъэлъэгъуэным зи гуащIэ хэзылъхьа псоми Iуэхур фIы дыдэу къазэрехъулIам и щыхьэтт абы къекIуэлIахэм хуаIэта Iэгуауэшхуэр. КъБР-м и Iэтащхьэм и щхьэгъусэ Къанокъуэ ФатIимэ артистхэм яхуэупсащ удз гъэгъа матэкIэ. ЩхьэщэмыщI Изэ. Сурэтыр Свириденкэ Татьянэ трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26091.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Аббас Мэхьмуд поплъэ Къэрэшей-Шэрджэс. Палестинэм и унафэщI Аббас Мэхьмуд республикэм щыпоплъэ. Палестинэм нэгъабэ ООН-м къэрал-кIэлыплъакIуэ статус щигъуэтащ икIи абы и ужькIэ иджы япэу Урысейм къэкIуащ Аббас Мэхьмуд. НэхъапэIуэкIэ ар щыIащ ди къэралым и щIыналъэ зыбжанэм. Мы гъэм гъатхэпэм и 4-м КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид Черкесск щыIущIащ Палестинэм и полномочнэ лIыкIуэ Фаед Мустэфа. Абы щыгъуэ лъэныкъуэхэр тепсэлъыхьащ Палестинэмрэ Урысеймрэ я зэпыщIэныгъэхэм япкъ иткIэ зэрызэдэлэжьэну унэтIыныгъэхэм. Хуабэщхэр яухуэнущ КъШР-м и Правительствэм и мурадщ «Южный» агрокомбинатым хадэхэкIхэмрэ удз гъагъэхэмрэ щелэжьыным зригъэубгъуну. Республикэм и правительствэм и япэ вице-премьер Байчоров Эльдар зэрыжиIамкIэ, а социальнэ проектым цIыхухэр лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэригъэпэщынущ икIи щIыпIэ бюджетым хэхъуэ къритынущ. Республикэм щызэхалъхьа программэм ипкъ иткIэ хуабэщхэр ухуэным, абыхэм газрэ электрокъарууэ трагъэкIуадэ мылъкум и процент 20-м хуэкIуэну субсидиехэр мэкъумэшыщIэхэм иратынущ. Илъэси 160-рэ ирокъу Адыгей. Адыгэ тхыбзэм и махуэм теухуа Iуэхугъуэхэр республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ щекIуэкIащ. Адыгэхэм тхыбзэ яIэ зэрыхъурэ илъэси 160-рэ зэрырикъум теухуа пэкIукIэ зэхыхьэр къыщIадзащ. АдэкIэ егъэджакIуэхэм, еджакIуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, Нэхъыжьхэм я советым я лIыкIуэхэм «Адыгэбзэ псалъалъэр» къыдэзыгъэкIа Бырсей Умар и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. Лъэпкъ театрым и щIыхьэпIэм деж адыгэ джэгу щызэхаублащ, и кIуэцIым махуэшхуэ концерт щекIуэкIащ. «Илъэс къэс нэхъыбэ мэхъу сабий садхэм, школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, IэщIагъэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ щызыджхэр. Адыгейм и лъэпкъхэм я бзэр, тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр зыхъумэну щыIэр тхыбзэрщ икIи къэрал властым и органхэм, лъэпкъыбэ щIыналъэм щыпсэухэм абы гулъытэ хэха хуащIыпхъэщ», — къызэхуэсахэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий . Зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэ 42-м республикэм щыкъэралыбзэ урысыбзэмрэ адыгэбзэмкIэ цIыкIухэм щадолажьэ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26095.txt" }
Мы махуэхэм Гъатхэпэм и16, щэбэт 1895 гъэм Москва трамвай гъуэгу ухуэн щыщIадзащ. 1936 гъэм Горький автозаводым япэ автомобиль псынщIэр — «М-1»-р — къыщIигъэкIащ. Экономикэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм ебэнынымкIэ управленэ нэхъыщхьэу УФ-м и МВД-м щыIэм Экономикэ щIэпхъаджагъэхэм ебэнынымкIэ и IэнатIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 27, жэщым градуси 10 — 12 щыхъунущ. Гъатхэпэм и 17, тхьэмахуэ Планетарийхэм я дунейпсо махуэщ 1805 гъэм Дельпоццо И. П. Къэбэрдейм и пристав нэхъыщхьэу къагъэкIуащ. Адыгэ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI Дыгъужь Мыхьмуд и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 10 — 11, жэщым градуси 14 — 19 щыхъунущ. Гъатхэпэм и 18, блыщхьэ 1913 гъэм къызэIуахащ Налшык округым и лъэпкъхэм я япэ съездыр. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Хъупсырокъуэ Хъызыр и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу. 1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 3 — 4, жэщым градуси 3 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26097.txt" }
КъБР-м и Iэтащхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм ядоIэпыкъу КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен иджыблагъэ яхуэзащ я щхьэ IуэхукIэ къекIуэлIа цIыхухэм. Апхуэдэ зэIущIэхэр хабзэ хъуауэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ къызэрагъэпэщ. Республикэм и Iэтащхьэм и деж чэнджэщакIуэ е лъэIукIэ республикэм исхэм ящыщ куэд къокIуэ. Япэ дыдэу а махуэм КъБР-м и Iэтащхьэм хуэзащ Шэрэдж муниципальнэ районым хыхьэ Зэрэгъыж къуажэм щыщ Факъуэ Надеждэ. Абы балигъ мыхъуауэ бынищ иIэщ, ауэ зэщхьэгъусэхэр лэжьапIэншэщ. ЦIыхубзыр къэлъэIуащ и псэупIэр иригъэфIэкIуэнымкIэ дэIэпыкъуныгъэ иратыну. А лъэIур Къанокъуэ Арсен игъэзэщIащ. ПсэупIэкIэ и Iуэхур зэрызэкIэлъымыкIуэр, и унагъуэр унэ кхъахэм зэрыщIэсыр арат Прохладнэ муниципальнэ районым хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм щыщ Хьэмыкъуэ Хьэлимэти къызытекIухьар. Абы КъБР-м и Iэтащхьэр ахъшэкIэ дэIэпыкъуащ. Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Эльбрус поселкэм щыщ Цакоевэ Светланэ и унагъуэр цIыхуи 9 мэхъу икIи ахэр псори пэшищ хъу фэтэрым щIэсщ. А унагъуэшхуэм республикэм и Iэтащхьэр ахъшэкIэ дэIэпыкъуащ. Светланэ езым бынитху иIэщи, щыр зэщIыгъуу къалъхуащ. Абыхэм я ныбжьыр илъэс ныкъуэ хъуауэ аращ. КъБР-м и Iэтащхьэм занщIэу КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ зыпищIэри къалэн щищIащ иужьрей илъэсхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зэуэ сабиищ щызыгъуэтахэр къыхитхыкIыну. «Иужьрей илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зэтIолъхуэныкъуэхэр, зэуэ сабиищ куэдрэ къыщалъху. А Iуэхум фыхэплъи, апхуэдэ унагъуэхэм дазэрыдэIэпыкъу хъуну Iэмалхэр къыхэфлъхьэ», — хуигъэуващ Къанокъуэ Арсен республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэм. Кумыщ Аринэ КъБР-м и Iэтащхьэм IущIэн папщIэ Шэджэм районым щыщ Шэджэм къалэм къикIри къэкIуащ. Абы зэрыжиIамкIэ, унагъуэр зыщыгугъ и щхьэгъусэр илъэс зыбжанэ япэкIэ хэкIуэдащ икIи абы лъандэрэ бынунэр хуэмыщIауэ мэпсэу. Езы Аринэ узыншэкъыми, щIэх-щIэхыурэ сымаджэщым щIохуэ. И бынхэр ипIынымкIэ абы и адэ-анэр къыдэIэпыкъуу аращ. Тхьэусыхафэр зэхигъэкIри, Къанокъуэ Арсен а унагъуэм ядэIэпыкъуну унафэ ищIащ. Нэхъ иужькIэ Аринэ жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и деж къызэрыкIуам зэрыхущIемыгъуэжар: «Сэ лъэIукIэ сызэрекIуэлIар Къанокъуэ Арсен гулъытэншэу къигъэнакъым, арэзы сыкъищIащ. Узыншагъэ быдэ иIэну сохъуэхъу ди унафэщIым». Налшык щыщ Алборов Вячеслав япэ гупым хиубыдэ ныкъуэдыкъуагъэ иIэщ. Абы ахъшэшхуэ ириту и нэр операцэ иригъэщIын хуейти, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр зыдигъэIэпыкъуну елъэIуащ. «Сэ икъукIэ сыхуэарэзыщ ди Iэтащхьэм и лэжьэкIэмкIи и цIыхугъэмкIи», — жиIащ абы Къанокъуэ Арсен хуэза иужь. Прохладнэ районым хыхьэ Черниговскэ къуажэм щыпсэу Кривко Александр ныкъуэдыкъуагъэ иIэу къалъытащ хуабжьу набгъэ зэрыхъуам къыхэкIыу. Къанокъуэ Арсен ар къигъэгугъащ зигъэхъужын папщIэ ахъшэкIэ дэIэпыкъуну. Щокъарэ Залинэ, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26099.txt" }
«ДызэрывгъэцIыху» жаIэ ныбжьыщIэхэм ЩIэблэм щIэныгъэ етыным и мызакъуэу, абыхэм гъэсэныгъэ дахэ яхэлъу къэгъэтэджынми гулъытэшхуэ щыхуащI Налшык къалэ дэт гимназие №4-м. Я гъэсэнхэм къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ ящIэу, хабзэ, нэмыс яхэлъу къэгъэхъуным хуэунэтIащ зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэр, республикэм и цIыху цIэрыIуэхэр здрагъэблагъэ зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр, спортым, я къэухьым зыщрагъэужь Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ зэхьэзэхуэхэр. Апхуэдэу иджыблагъэ мы еджапIэм щекIуэкIащ «ДызэрывгъэцIыху» фIэщыгъэр зиIэ зэпеуэ гъэщIэгъуэн. Илъэс псокIэ зыхуагъэхьэзыращ абы еджакIуэхэм. Дэтхэнэ классми утыку кърахьэн хуейт гъащIэ узыншэм, спортым, лэжьыгъэм теухуауэ зыщыгъуазэхэр. Абыхэм ятеухуа я Iуэху еплъыкIэр еджакIуэхэм къагъэлъэгъуащ спорт IэмалхэмкIэ, уэрэдрэ къафэкIэ. «КъыдагъэкIа» блын газетхэм ит тхыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ нэIуасэ ухуащIырт илъэс псом яIа ехъулIэныгъэхэр, зыIэрагъэхьа текIуэныгъэхэр зыхуэдэм. Iэпкълъэпкъым зезыгъэужь лэжьыгъэм пэIэщIэ къалэ сабийхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэр еджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Къурмэн Жаннэ и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщащ. Жаннэ щIэх-щIэхыурэ зэхешэ мыпхуэдэ зэхыхьэхэр, сыт щыгъуи Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр лъабжьэ хуищIурэ еджакIуэхэм я къэухьым зэрызригъэужьыным яужь итщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Къурмэным къехутэ ныбжьыщIэхэр гъащIэм зэрыхущытыр икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ и лэжьыгъэр нэхъ зыхуэунэтIыпхъэри еубзыху. Жаннэ къыхилъхьэ апхуэдэ IуэхуфIхэр егъэджакIуэхэми, адэ-анэхэми, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лэжьакIуэхэми я гуапэу даIыгъ, нобэрей щIэблэм я къэкIуэнур абыхэм я зэкъуэтыныгъэм куэдкIэ зэрелъытар къагуроIуэри, зэрыхъукIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуохъу. Мыгъэрей «ДызэрывгъэцIыху» зэхыхьэр гъэщIэгъуэну екIуэкIащ. АрщхьэкIэ гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ирагъэкIуэкIынур абдеж щиухакъым, атIэ уеблэмэ а махуэ дыдэм къыкIэлъыкIуэну зэпеуэм гъунэ хуралъащ. Ар теухуауэ щытынущ лъэпкъ щэнхабзэм ехьэлIауэ гимназием и еджакIуэхэм ящIэр къэхутэным, абыкIэ я щIэныгъэм адэкIи хэгъэхъуэным. БищIо Иннэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26104.txt" }
Гулъытэ зыхуэщIыпхъэхэр Гъатхэпэм и 1 — 4-хэм Грознэ къалэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм дзюдомкIэ пашэныгъэ къыщыхьыным теухуауэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ. Урысейм и чемпионатым кIуэнухэр къыщыхах а зэпеуэм кърихьэлIащ КИФЩI-м и щIыналъи 7-м я лIыкIуэхэр. КъБР-м и командэм хэтащ бэнакIуэ 15. Абыхэм я дежкIэ зэхьэзэхуэр гъэунэхупIэ хъарзынэт. Ди щIалэхэм Iэчлъэчагърэ ерыщагърэ къагъэлъэгъуащ. Уеблэмэ, нэхъыщIэ дыдэ Дзу Залым тегушхуэныгъэ хэлъу бэнащ. Абазэ Ислъам килограмм 68-рэ фIэкIа мыхъуми, килограмм 73-рэ зи хьэлъагъхэм зарипщытащ икIи текIуэныгъэм зэрыхуэпабгъэр къигъэлъэгъуащ. Абыхэм я тренерыр Емкъуж Мухьэмэдщ. Сэралъп Олег зи унафэщI спорт школым и гъэсэн Гузеевэ Зурият хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуар, Урысей, дунейпсо зэпеуэхэм, Европэм текIуэныгъэхэр щызыIэрызыгъэхьар, хухэмыгъэщIами, техникэ лъагэрэ ерыщагърэ къигъэлъэгъуащ. Бэгъуэт Мухьэмэд и гъэсэн хъыджэбзыр спортми хуэжыджэрщ, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдми дехьэх. ЭкономикэмкIэ техникумыр къиуха нэужь, ар КъБКъУ-м экономикэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ икIи ехъулIэныгъэхэр иIэу йоджэ. Гузеевэ Зурият Урысейм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ Тюмень мэлыжьыхьым щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм ирагъэблэгъащ. Абы и кIэн къыщикIмэ, Европэм, дуней псом пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ зэхьэзэхуэхэм хэтыну Iэмал игъуэтынущ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, мылъку зэримыIэм къыхэкIыу, ар Тюмень щекIуэкIыну зэпеуэм иримыхьэлIэнкIэ хъунущ. Гъудэ Азрэт.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26108.txt" }
«Си щIыналъэу Къэбэрдей-Балъкъэр» Къэбэрдей-Балъкъэрым щопсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу 100-м щIигъу. Дэтхэнэми и бзэ, и хабзэ иIэжщ, ауэ ахэр зэзыпхыр зэныбжьэгъугъэрщ, зэхущытыкIэ дахэрщ. Мы щIыналъэм щытепщэщ нэмысыр, хабзэр. Ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъхэр къогъуэгурыкIуэ щIэблэм я гъэсэныгъэм егугъуу. Абы хеубыдэ адэ-анэр гъэлъэпIэныр, нэхъыжьхэм пщIэ яхуэщIыныр, лъэпкъ щэнхабзэр хъумэныр. Мы Iуэхум ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ зэфIегъэкI Сабий творчествэмкIэ унэм. А IуэхущIапIэм лэжьыгъэр зыубзыху и къудамэм илъэси 6 хъуауэ зэхешэ «Си щIыналъэу Къэбэрдей-Балъкъэр» республикэ зэпеуэр. Абы школакIуэхэм къыщагъэлъагъуэ лъэпкъ хабзэм щыщ Iыхьэ уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ теплъэгъуэ зырыз. Мы гъэм зэхьэзэхуэм хэтащ республикэм и районхэм къикIа гуп 11. Тэрч, Май, Аруан, Iуащхьэмахуэ, Лэскэн, Шэрэдж, Бахъсэн районхэм я щIэблэм къагъэлъэгъуащ лъэпкъ тхыдэр, щэнхабзэр фIыуэ зэращIэр. — Мы зэхьэзэхуэм тфIэфIу гъэ къэс дыхэтщ. Щхьэпэщ, дызыхуей Iуэхущ, щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджынымкIэ, я къэухьым зегъэужьынымкIэ ар сэбэп хъууэ къыдолъытэ, — жеIэ Бахъсэн къалэм дэт прогимназие №5-м и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ КIуэкIуэ Жаннэ. — Дэ къыздэтшащ адыгэм и гъуэгуанэр IупщIу уи нэгу къыщIэзыгъэувэж гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэти. Пасэрей хьэпшыпхэр зэхуэхьэсыжынымкIи, нэгъуэщI IуэхухэмкIи фIыуэ зыкъытщIагъакъуэ ди еджакIуэхэм я адэ-анэхэм. Унэишэ, гущэхэпхэ, гъубжэдэх, нэгъуэщI хабзэ лIэужьыгъуэхэмкIи сабийхэм идогъэгъэхьэзыр теплъэгъуэ кIэщIхэр. Мы гъэм дгъэлъагъуэр хьэгъуэлIыгъуэм къыгуэхыпIэ имыIэу епха щауэишыжырщ. КIуэкIуэ Жаннэ жиIэм щыхьэт техъуэрт пэшым щыхухаха плIанэпэм щагъэува Iэнэ берычэтымрэ пасэрей хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ куэдыкIейхэмрэ. Адыгэ фащэр къызыщыпс гуащэхэр, гъуаплъэм, пхъэм къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэр, адыгэ пшынэр, пхъэ гущэр, бжьакъуэр, нэгъуэщIхэри гъэщIэгъуэн защIэт. Гъэлъэгъуэныгъэ купщIафIэ игъэхьэзырат Аруан районым хыхьэ Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм и курыт еджапIэми. Кхъуэщын хьэкъущыкъухэр, убалъэ, етуужь, Iэ щхьэл, псыкъуий, къубгъан, жэз тас, чы матэ, шыгун, цыгъапцIэ, Iэнлъэ, ур, жыхапхъэкъуз, гуэгуэн, фэлъыркъэб… Сабийхэм ягъэлъэгъуащ пасэм адыгэм иIа зы хабзэ екIу — щIэпщакIуэр. Мыр сымаджэр (нэхъыбэу зи къупщхьэ къутар) зэрытрагъэууэ щыта зэхэст, джэгут. ЩIэпщакIуэр щызэхыхьэр пшапэр зэхэуа иужькIэт, нэху щыху щIалэгъуалэм гушыIэкIэ, джэгукIэ сымаджэр трагъэууэ, и узым ирамыгъэгупсысу щытащ. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къадекIуэкI лъэтеувэр хабзэ дахэщ, лъэпкъыр зэрызыгъэлъагъущ, сабийхэр зыгъэгуфIэщ. Ар ящI са-бийм япэ лъэбакъуэ щичам ирихьэлIэу — хьэлыуэ Iэнэ яуб, мэл яукI, благъэ-Iыхьлыхэм йоджэ, хьэблэр ирагъэблагъэ, хъуэхъу яIэт. Мы Iуэхум теухуа теплъэгъуэ кIэщI ягъэлъэгъуащ Тэрч куейм и Болэтей (Терекское) къуажэм къикIа школакIуэхэм. — Ди районым илъэс Iэджэ хъуауэ щекIуэкI «Джылахъстэней джэгу» зэхьэзэхуэми сыт щыгъуи дыхэтщ, ди сабийхэр жыджэрщ, хабзэм ехьэлIа сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэми дахьэх, — жеIэ Болэтей курыт еджапIэм и лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Мадинэ. — «Си щIыналъэу Къэбэрдей-Балъкъэр» зэпеуэм илъэс ещанэ хъуауэ дыкъокIуэ. Мы зэкIэ дгъэлъагъуэр лъэтеувэм иращIэкI хабзэхэрщ, 1-нэ классым щIэс цIыкIухэри 5-нэм щыщхэри хэтщ. Зэпеуэм къэтша лъэпкъ шхыныгъуэхэр гъэхьэзырынымкIэ къыддэIэпыкъуащ сабийхэм я адэ-анэхэр, 5-нэ классым и унафэщI Лыкъуэжь Зарети икъукIэ гугъу зыкъыддригъэхьащ. ФIыщIэ яхудощI ди къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и музейм щIэт пасэрей хьэпшыпхэр дзыхь къызэрытхуащIам папщIи. Мыдрейуэ, ди гъэлъэгъуэныгъэм къыздэтшащ жылэдэсым яхъума пасэрей хьэкъущыкъухэри, къапщтэмэ, си анэшхуэм и гуэлмэдынымрэ цыкIуэкIрэ сэ хэзгъэхьащ. Ди адэжьхэм къащIэна хъугъуэфIыгъуэм пщIэ хуэтщIрэ тхуэхъумэмэ, кIуэдыжынукъым ди хабзэри ди тхыдэри, нэхъыщхьэращи, ар къытщIэхъуэ щIэблэм зэхащIыкIынущ. Тэрч къалэм и гимназие №1-м щIэс цIыкIухэм я теплъэгъуэ кIэщI мэшых щIыхьэхум теухуари щIэщыгъуэт, гупсысэ зыхэлът. ЦIыхур адрейм дэIэпыкъуэгъу хуэхъунымкIэ, лэжьыгъэр фIыуэ ялъагъуу щIэблэр гъэсэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ абы. ЩIыхьэхур зэхуашэсырт унэ, псэуалъэ щаухуэкIэ, гъавэр къыщрахьэлIэжкIэ. «КъызэрыгуэкI щIыхьэхум къыщхьэщыкIыу, мэшыхым езым и хабзэ иIэжщ. Губгъуэ лэжьыгъэ хьэлъэр гушыIэкIэ ягъэпсынщIэу, зэхьэзэхуэ-зэдэджэгуу ягъэзащIэрт. ЩIыхьэхур зейм фэнд игъэтIылъырти, а фэндыр япэ ищ гупым къагъуэтрэ абыкIэ я лэжьыгъэр къалъытэу екIуэкIырт», — жеIэ гимназием и лэжьакIуэ Щомахуэ Мадинэ. НыбжьыщIэхэм ягъэлъэгъуащ гущэхэпхэм, нысашэм, нэгъуэщI лъэпкъ хабзэхэми ехьэлIа теплъэгъуэхэр. Зэхьэзэхуэм и къэпщытакIуэ гупыр кIэлъыплъащ курыт еджапIэхэм къыздаша гъэлъэгъуэныгъэхэми сабийхэм Iэзэу зыкъызэрагъэлъэгъуами. Япэ увыпIэхэр хуагъэфэщащ Тэрч къалэ дэт гимназие №1-м, Аруан къуажэм и курыт еджапIэм, Бахъсэнёнкэ жылагъуэм и 1-нэ школым. ЕтIуанэ хъуащ Шэрэдж Ищхъэрэ, Болэтей, Анзорей къуажэ школхэр, Бахъсэн къалэм и прогимназие №5-р. Ещанэ увыпIэр ялъысащ Бабугент къуажэм и школым, Iуащхьэмахуэ куейм Сабий творчествэмкIэ и унэм, Май районым и Новоивановскэ къуажэм щылажьэ лицей №7-м. ЗэрытщIэщи, лъэпкъым и хабзэр и хъугъуэфIыгъуэщ. Абы щыщ нобэ тIэщIэхуами, нэхъыжьым пщIэ яхуэщIын зэрыхуейр, цIыхум хэлъыпхъэ нэмысыр щIэблэм ядыболъагъу. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26111.txt" }
ШэрыIужь Анатолэ ягу къагъэкIыж КъБР-м и цIыхубэ артист, республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденымрэ «И лэжьыгъэфIым папщIэ» медалымрэ зыхуагъэфэща ШэрыIужь Анатолэ и фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. Ар къызэрагъэпэщащ артист икIи режиссёр цIэрыIуэр къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. Зэхыхьэм зыкърагъэхьэлIащ Анатолэ къыдэлэжьахэм, и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ, къэзыцIыхуу щыта и къуажэгъухэм. Театрым и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Фырэ Майе пшыхьыр къыщызэIуихым жиIащ артист, режиссёр Iэзэр пасэу дунейм ехыжами, гъащIэм лъэужь дахэ къызэрыщинар, цIыхухэм фIыкIэ ягу къызэринар. Ар кIэщIу къытеувыIащ ШэрыIужьым и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ: — Аруан районым хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ Анатолэ. 1953 гъэм Москва ГИТИС-м и актер факультетым щIэтIысхьащ, адыгэ студием хэту. 1958 гъэм еджапIэр къиухыу Налшык къигъэзэжа нэужь, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмтеатрым лэжьэн щыщIидзащ. А IэнатIэм пэрытащ 1961 гъэ пщIондэ, ГИТИС-м и режиссёр факультетым щIэтIысхьэжыхукIэ. ЕджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къыщиу-хым, Барнаул лэжьакIуэ ягъэкIуащ. КъБАССР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ Анатолэ Налшык къашэжат. Ар лэжьащ Музыкэ театрым и режиссёру, режиссёр нэхъыщхьэу, художественнэ унафэщIу. ШэрыIужьыр зи IэщIагъэм хуэIэижь режиссёрт. Абы фIыуэ къехъулIэрт ди тхакIуэхэм я пьесэхэм къытращIыкI спектаклхэри дунейпсо классикэри. Анатолэ игъэува оперэхэмрэ опереттэхэмрэ цIыхухэм ягу къинэжащ. Апхуэдэхэщ, Верди Джузеппе и «Травиата», «Риголетто», Леонковало Руджеро и «Паяцы», Бизе Жорж и «Кармен», Къардэн Хьэсэнрэ Балэ Мухьэдинрэ я «Мадинэ» оперэхэр, Листов Константин и «Севастопольский вальс», Модуньо Доменико и «Черный дракон», Эшпай Андрей и «Звезда экрана», Легар Франц и «Цыганская любовь», Портнов Георгий и «Улыбнись, Света», Балэ Мухьэдин и «Шамхьун и фызышэ», Кальман Имре и «Сильва», Фельцман Оскар и «Пусть играет гитара», Штраус Иоганн и «Цыганский барон», Александров Борис и «Свадьба в Малиновке», Молэ Владимир и «КъагъэпцIа псэлъыхъухэр», Легар Франц и «Веселая вдова», Жырыкъ Заур и «Гум и щэхухэр», Портнов Георгий и «Третья весна» опереттэхэр, — жиIащ Майе. Анатолэ иужьрей илъэсхэм режиссёр нэхъыщхьэу щылэжьа Гуащэ театрым и унафэщI Шумахуэ Владимир япэу къагъэпсэлъащ. — Ерчэн Леонид, Къардэн Хьэсэн, Балэ Мухьэдин, Анатолэрэ сэрэ къаруушхуэ етхьэлIащ Музыкэ театрыр къызэIухыным. Ар узыщыгуфIыкIын Iуэхут. ШэрыIужьым игъэува спектакль зыбжанэ щагъэлъэгъуащ Ереван къалэм, Къэрэшей-Шэрджэс, Дагъыстэн, Адыгей республикэхэм. Музыкэ театрым и архивым щахъумэ абы и лэжьыгъэ зыбжанэ. Анатолэ хэлъхьэныгъэфI хуищIащ щIыналъэм и щэнхабзэм зегъэужьыным, щIэблэр псэкIэ къулейуэ къэгъэтэджыным. Аращ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм ШэрыIужь Анатолэ и цIэр дыщэ хьэрфхэмкIэ тхауэ къыщIыхэнар, — жиIащ Шумахуэм. — Анатолэ щыпсэуа унэм и блыным фэеплъ пхъэбгъу фIадзэну и чэзущ, ар къызэралъхурэ илъэс 80, дунейм зэрехыжрэ илъэс 17 щрикъум ирихьэлIэу. Балетмейстер Гъубжокъуэ Болэт, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Таукеновэ Галинэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бицу Юрэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къардэн Борис, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэгъуэтыж Светланэ я псалъэм къыхагъэщащ зи IуэхущIафэхэр щапхъэу, цIыху Iущу, гъэсауэ, щабэу дунейм тета я лэжьэгъур къазэрыхэмытыжыр ягу къызэреуэр, абы зэрыщыщIэр кIуэтэху нэхъри зэрызыхащIэр, артист, режиссёр Iэзэу зэрыщытам и щыхьэт и спектаклхэр ялъагъуху и фэеплъыр зэрымыкIуэдыжынур. Режиссёр гъуэзэджэм хужаIа псалъэ гуапэхэм пащащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Мэршэнкъул Iэдэм, ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий, Щэбэтыкъуэ Натбий (Музыкэ театрым и дирижёр нэхъыщхьэ), Жангуразов Мэжид (Балъкъэр къэрал драмэ театрым и унафэщI), ЖьакIэмыхъу КIунэ (УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артисткэ), Музыкэ театрым и солисткэ Дау Марианнэ (КъБР-м и Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я рескомым и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ), Къэжэр Борис (КъБР-м и цIыхубэ артист), Бесчокъуэ Майе (КъБР-м и цIыхубэ артисткэ), Куэт Къанщобий (КъБР-м и цIыхубэ артист), Сафаровэ Тамарэ (КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ), Къуныжь Алим (КъБР-м и цIыхубэ артист), Музыкэ театрым и унафэщI Бэрэгъун Руслан, Архэст Хьэсэнбий сымэ. Абыхэм я псалъэм къыхэщащ Анатолэ и лэжьэгъухэм сыт щыгъуи ядэIэпыкъуу, я зэфIэкIхэм зригъэужьу зэрыщытам папщIэ IэфIу ягу къызэринэжар, абы хуэдэхэр зэрызырызыххэр. Аруан районым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советым и унафэщI КIущ Валерэрэ Псыгуэнсу къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къанкъул Хьэчимрэ жаIащ артист, режиссёр гъуэзэджэ къызыхэкIа я къуажэгъум иIа зэфIэкIым зэрыригушхуэр, абы и IуэхущIафэхэр щIэблэм я дежкIэ зэрыщапхъэр, и фэеплъ нэхур и бынхэм — Анзоррэ Залинэрэ — я гъуазэу, абы хуэфащэу зэрыпсэур. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэкъуауэ Хьэсэн къыхилъхьащ Псыгуэнсу къуажэм и уэрамхэм ящыщ зым ШэрыIужь Анатолэ и цIэр фIащыну. Зэхуэсахэри абы арэзы техъуащ. Анатолэ и къуэшым и къуэ Альбертрэ и шыпхъу Фенярэ зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэмрэ абы кърихьэлIахэмрэ фIыщIэ хуащIащ. УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Музыкэ театрым и солист Хъупсырджэн Албэчрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Азэмэт Натальерэ ягъэзэщIащ Анатолэ фIыуэ илъагъуу щыта уэрэдхэр. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26115.txt" }
ПщIэрэ щIыхьрэ зыхуэфащэхэр Зэманыр къыпхуэгъэувыIэнукъым. Абы къызэринэкI лъэужьым къыхолыдыкI лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм псэуа цIыхухэм я гъащIэ купщIафIэр, зэфIахауэ щыта Iуэхугъуэ дахэхэр. Апхуэдэ цIыху щэджащэхэм ящыщщ Бахъсэн куейм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуа егъэджакIуэ икIи зауэлI Шафий Абдурэхьим Мысхьуд и къуэр (1896 — 1942). ЩIэблэр егъэджэным Шафийм езым и гъащIэр тыхь хуищIа къудей мыхъуу, абы и бынхэри хуиущиящ, IэщIагъэ къыхэхынымкIэ абыхэм щапхъэ яхуэхъури. Дауи, апхуэдэ цIыхухэм пщIэрэ щIыхьрэ яхуэфащэщ. Шафий Абдурэхьим. 1930 гъэ Зи адэ Мысхьуд пасэу зыфIэкIуэда Абдурэхьим илъэс 12-м иту арат, зэрыпсэуфын, гъащIэм зэрыдекIуэкIыфын IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ езыр-езыру зригъэгъуэтыну мурад щищIам щыгъуэ. Жылэм пщIэшхуэ щызиIа Мысхьуд ефэндым 1909 гъэм хуагъэувауэ щыта сыным тетт ар зи псалъэр жан, зи акъылыр шэщIа цIыхушхуэу Зеикъуэ зэрыдэсар. Я адэр я щапхъэу, сыт хуэдэ лэжьыгъэми зэпыIуамыдзу псэурт Абдурэхьими абы и къуэшхэри: Iэщ, шы ягъэхъурт, нартыху, кIэртIоф хасэрт. Совет властыр ди щIыпIэм щагъэува нэужь, Шэджэм аузым кIуэцIрыкI гъуэгу зыухуэ гупым я пашэу лэжьащ. ИужькIэ, колхозым хыхьа нэужь, махуэм щIым телэжьыхьырт, пщыхьэщхьэм школым щылажьэрт, и къуажэгъухэр щIэныгъэншагъэм къыхишу. 1930 гъэм Абдурэхьим къиухащ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр техникумыр икIи Зеикъуэ дэт езанэ школым уващ адыгэбзэр 1 — 7-нэ классхэм яригъэджыну. Лэжьыгъэм щIэхыу Iэижь хуэхъуат Абдурэхьим. Дерсхэм къадэкIуэу абы иригъэкIуэкIырт классщIыб лэжьыгъэшхуи: адыгэ хабзэм, щэнхабзэм, нэмысым щIэблэр къыщIигъэтаджэрт, гуащIэдэкI лэжьыгъэм щIипIыкIырт, унагъуэ псэущхьэхэм зэракIэлъыплъыпхъэр яригъащIэрт, апхуэдэуи шы тесыкIэмрэ псы есыкIэмрэ яхэлъ щэхухэм щыгъуазэ ищIырт. КIэщIу жыпIэмэ, ныбжьыщIэхэр балигъ гъащIэм лъэныкъуэ куэдкIэ хуигъэхьэзырырт. Апхуэдэу псэ хьэлэлу зи IэнатIэм пэрыт IэщIагъэлIым пщIэшхуэ къыхуащIырт къыдэлажьэхэми, иригъаджэхэми, абыхэм я адэ-анэхэми. ИщIэну и мурадахэм гъунэ ирилъа къудейт Абдурэхьим Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям. Ар яхэтащ япэу бийм пэщIэувахэм. 1942 гъэм Абдурэхьим зауэм хэкIуэдащ. И лэжьэгъухэмрэ еджакIуэхэмрэ я гъусэу. Зеикъуэ къуажэ, 1933 гъэ Апхуэдэу хъури, тIэунейрэ унагъуэ иухуауэ щытащ Шафийм. Абы и япэ щхьэгъусэр пасэу дунейм ехыжат, щIалитI къыщIэнэри. Ахэри лIыгъэ зэрахьэу хэтащ Хэку зауэшхуэм икIи ТекIуэныгъэр къахьауэ, офицеру къагъэзэжащ. ЕтIуанэ щхьэгъусэм Абдурэхьим дигъуэтащ хъыджэбзищрэ щIалитIрэ. Ахэр псори, инженер-электромеханик IэщIагъэр зэзыгъэгъуэта зы щIалэм фIэкIа къэмынэу, я адэм и щапхъэм ирикIуащ, егъэджакIуэныр IэщIагъэу къыхахри. Шафийхэ япхъу Лидэ жиIэжу зэрыщытамкIэ, Абдурэхьим зауэм щыкIуэм и щхьэгъусэм къелъэIуат: «Къэхъунур зыми ищIэркъым. ЗыгуэркIэ къэзмыгъэзэж хъумэ, ди бынхэм щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ ебгъэгъуэтыну сыкъэгъэгугъэ, сыт хуэдэу гугъу уадемыхьми». Зэдэлъхузэшыпхъухэм я нэхъыщIэ дыдэ Любэ КъБКъУ-р ехъулIэныгъэкIэ къызэриухамкIэ дипломыр къыщратыжам щыгъуэ, анэм жиIащ: «Фи адэм и лъэIур згъэзэщIащи, иджы сылIэми содэ». Шафий Абдурэхьим и бынхэм ящыщу дэтхэнэри, я адэм хуэдэу, пэжу, жэуаплыныгъэр зыхащIэу зыпэрыт лэжьыгъэр ирахьэкIащ. Абыхэм ящыщу егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыхахэр а IэнатIэм пэрытащ псори зэхэту илъэси 150-кIэ, сабийхэм щIэныгъэ етыным, гъэсэныгъэ дахэ яхэлъхьэным хущIэкъуу. Зеикъуэ къуажэр ирогушхуэ абы щIэныгъэхэм я докторхэр, кандидатхэр къызэрыдэкIам. Ахэр зы тIощIырыпщIым нос. ЖыпIэнурамэ, абыхэм ящыщ куэдым ялъытэ я егъэджакIуэу, гъэсакIуэу, унэтIакIуэу гъащIэм щаIар Шафий Хьэчим Абдурэхьим и къуэр (1920 -1989) арауэ. — Хэку зауэшхуэр мыхъуамэ, ди егъэджакIуэ Хьэчим щIэныгъэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ къыхэкIынут, — жеIэ Шафийр гъуэгугъэлъагъуэ зыхуэхъуа ди къуажэгъу профессор цIэрыIуэ, математикэ щIэныгъэхэм я доктор Нэхущ Iэдэм Мэрем и къуэм. — ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъа а цIыхум и мурадхэр къызэпиудауэ щытащ мафIае лъэхъэнэм. ИтIани, фронтым къикIыжа нэужь, абы есэпыр Iэзэу щригъэджащ къуажэм дэт курыт школым. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм илъэс 50-кIэ пэрытащ Хьэчим. 1939 гъэм ар щIэтIысхьауэ щытащ Налшык дэта пединститутым, арщхьэкIэ ар къиухыну хунэмысу зауэм дэкIащ икIи тIасхъэщIэхыу абы щыIащ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу. Зауэ нэужьым, егъэджакIуэу зэрылажьэм хуэдэурэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыжащ. Илъэс куэдкIэ Хьэчим лэжьащ школым и унафэщIу, зыпэрыт IэнатIэр иригъэфIакIуэу. РСФСР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Шафий Хьэчим и лъэужьым ирикIуа гъэсэн куэди иIащ. Апхуэдэхэщ Нэхущ Iэдэм, БжьыхьэлI Хьид, Къармокъуэ Ахьмэд, нэгъуэщIхэри. И адэмрэ и къуэш нэхъыжьымрэ я щапхъэм тету, егъэджакIуэ IэщIагъэм хуеджащ Шафий Хъусен Абдурэхьим и къуэр (1930 -1989). Ар Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм щыпсэуащ, абы дэт курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щригъэджащ. Зыдэс жылэми зыпэрыт IэнатIэми пщIэшхуэ къыхуащIу дунейм тетащ Хъусен. ЕгъэджакIуэ Iэзэу, тхыдэдж емызэшу, журналист IэкIуэлъакIуэу щытащ Шафий Нажмудин Абдурэхьим и къуэр (1932 — 1991). Зеикъуэ дэта илъэсибл школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, зэчий зыбгъэдэлъу къалъыта щIалэщIэр 1947 гъэм щIагъэтIысхьащ Налшык дэта школ-интернатым. Абы илъэсищкIэ щеджэри, и щIэныгъэм хигъэхъуэн мурадкIэ Москва кIуащ икIи щыхьэрым дэт къэрал университетым и тхыдэ факультетым щIэтIысхьэфащ. Ещанэ курс нэужьым дзэм ираджащ, Хэкум къулыкъу хуищIэну. А къалэныр щIыхь пылъу ирихьэкIащ Нажмудин икIи лэжьэну, еджэнми пищэну и мураду щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ. ВЛКСМ-м и обкомым дзэ-физкультурэ IуэхухэмкIэ и къудамэм щылэжьащ, зэреджэм хуэдэурэ. А лъэхъэнэм абы лэжьыгъэшхуэ зэфIихащ республикэм и щIалэгъуалэр спортым дегъэхьэхынымкIэ. МКъУ-р ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха Нажмудин КъБКъУ-м и тхыдэмкIэ и къудамэм щылэжьэну ирагъэблэгъащ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ Шафийр куэд дэмыкIыу Тбилиси щыщIэтIысхьащ ЩIэныгъэхэмкIэ академием и аспирантурэм. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIыр япэ щIыкIэ ящIащ КъБКъУ-м тхыдэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжь, иужькIэ, 1970 гъэм, а IэнатIэм и унафэщIу ягъэуващ икIи илъэс 20-м щIигъукIэ абы ныкъусаныгъэншэу пэрытащ. А зэманым къриубыдэу Шафийм зэфIихащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд, и студентхэр и гъусэу археологие къэтIэщIыныгъэ хьэлэмэтхэр иригъэкIуэкIащ. Ахэр и лъабжьэу абы игъэхьэзыращ икIи ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ «Курыт лIэщIыгъуэхэм псэуа адыгэхэм яIа щэнхабзэр» кандидат диссертацэр, къыдигъэкIащ «XIV — XVI лIэщIыгъуэхэм псэуа адыгэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ» (1968 гъэ) монографиер, нэгъуэщI щIэныгъэ лэжьыгъэхэри и къалэмыпэм къыпыкIащ. Ахэр къытехуащ къэралым, республикэм къыщыдэкI щIэныгъэ журналхэм, газетхэм. Абыхэм нэхъ къу- лей ящIащ адыгэхэм ятеухуауэ щыIэ щIэныгъэхэр. А псоми къадэкIуэу Нажмудин КъБКъУ-м щыяпэу къызэIуихауэ щытащ Археологием и музей. ЗэхэщIыкI куурэ щIэныгъэ лъагэрэ зыбгъэдэлъ Шафий Нажмудин и лекцэхэр хуабжьу купщIафIэт. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри ещхьт лIэщIыгъуэ блэкIахэм ухэзышэ дунеяплъэ телъыджэм. Шафий Абдурэхьим и бынхэм ящыщу егъэджэныгъэ IэнатIэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэригъэхьащ абы ипхъу Лиди (1938 — 2005). Налшык дэт курыт школ №23-м пэщIэдзэ классхэр щезыгъэджа Лидэ Iэзагъышхуэ, зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ лэжьакIуэшхуэт. — Сэ Алыхьым фIыщIэ ин хузощI, егъэджакIуэ IэщIагъэр гъащIэ гъусэ зэрысхуищIамкIэ, — жиIэрт абы. — Си псэ хуабагъэр, щIэныгъэр сабийхэм щестыф, ар бэгъуэжауэ щадэслъагъу IэщIагъэ махуэщ ар си дежкIэ. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм къыхуалъхуахэм ящыщт а бзылъхугъэ щыпкъэр. А гъуэгум ирикIуэнымкIи щапхъэшхуэ къыхуэхъуауэ жиIэжырт и адэ Абдурэхьим. Лидэ игу къызэригъэкIыжымкIэ, адэр псэ къабзэу, гу хьэлэлу пэрытащ и IэнатIэм, и гурылъ псоми хунэсакъым ар, ауэ зэрылэжьа, зэрыпсэуа илъэс бжыгъэ мащIэм хулъэкIащ куэдым гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъун, нэхъыщхьэращи, и бынхэм щIэныгъэм и фIыгъуэр захригъэщIэн, абы хуэпабгъэу къигъэтэджын. И адэм и гъуэгум пищэн мурадкIэ, егъэджакIуэ IэщIагъэм хуэкIуа Лидэ IэнатIэм къыхыхьэ мардэщIэ псоми зыщигъэгъуазэрэ ахэр лэжьыгъэм хипщэущ IэнатIэр зэрырихьэкIар. Дерсхэр щиткIэ, абы гу лъитэрт сабий псоми зэхуэдэу ар гурыIуэгъуэ зэращымыхъум. Абы къыхэкIыу къытригъэзэжурэ яжриIэрт, ар псоми ялъэIэсын папщIэ. АтIэми нэхъыфIу еджэхэм зэшыр къатеуэрт — абыхэм я зэманыр пщIэншэу кIуэдырт, егъэджакIуэр нэхъ «лъэрымыхьхэм» ядэлэжьэхукIэ. Апхуэдэу щыхъум, Шафийм Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэ къыхилъхьащ: сабийхэр школым зэрыхуэхьэзырым елъытауэ классхэр къызэгъэпэщын. Егъэджэныгъэм къыхыхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм Iэмал къатащ а Iуэху зехьэкIэщIэр гъащIэм хапщэну. Мы зэманым курыт школ №23-р апхуэдэ мардэм тетущ сабийхэм зэрадэлажьэр. Ар даIыгъащ егъэджэныгъэмкIэ къалэ департаментым и унафэщIхэми министерствэм и IэщIагъэлIхэми. Дуней еплъыкIэ къулей, зэхэщIыкI куу зиIэ щIэблэ къэгъэхъун мурадкIэ, Шафий Лидэ лэжьыгъэм шэщIауэ къыщигъэсэбэпырт классщIыб дерсхэри, гулъытэшхуэ хуищIырт адэ-анэхэм я зэIущIэми. Абы къызэрилъытэмкIэ, адэ-анэмрэ егъэджакIуэмрэ зэгъусэу, зэгурыIуэу ягъасэ сабийрщ щIэныгъэ нэс зэзыгъэгъуэтыфынур, гъащIэм хуэхьэзыру лъэ быдэкIэ абы хыхьэфынур. Методист Iэзэ, егъэджакIуэ щыпкъэ Шафий Лидэ и псэ хьэлэл лэжьыгъэм гу лъамытэу къэнакъым. Абы мызэ-мытIэу къратащ СССР-м, УФ-м, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я министерствэхэм я щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, «УФ-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличник» цIэ лъапIэри къыфIащащ. И бынхэр зи лъэужьым ирикIуа адэм сыт хуэдэу и гур хэхъуэнт, абыхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэр, пэжу, жэуаплыныгъэр зыхащIэу егъэджакIуэ IэнатIэр зэрызэрахьэр илъэгъуатэмэ… ЕгъэджакIуэ унагъуэм я нэхъыжь Шафий Абдурэхьимрэ адэр зи щапхъэу абы къихъуа бынхэмрэ гъуэгугъэлъагъуэ зыхуэхъуар зы щIэблэкъым. Абыхэм сакъыу яхъумэ я унэтIакIуэхэм я фэеплъыр. ДЖЭДГЪЭФ Аслъэмырзэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26119.txt" }
ЩытыкIэм арэзы дыкъищIыркъым Адыгэхэм яIэщ зыгъэгузавэ Iуэху куэд. Абыхэм я нэхъыщхьэ дыдэр ди анэдэлъхубзэм ехьэлIахэр зэрыарам зыми шэч къытрихьэу къыщIэкIынкъым, сыту жыпIэмэ мы зэманым а лъэпкъ фIыгъуэ нэхъыщхьэм иIэ щытыкIэм зыкIи арэзы укъищIыркъым. ХьэщIэлI МуIэзин Бзэм теухуауэ нобэ дызыхэт гузэвэгъуэм хуэдэхэр дунейм тет лъэпкъ цIыкIу куэдым ягъэунэхуащ. Москва къэрал университетым и экспедицэ гупхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм ятепщIыхьмэ, Урысей Федерацэми иужьрей зэманым лъэпкъ цIыкIу зыбжанэм я бзэхэр щафIэкIуэдащ — ауэ щыхъукIэ, езы лъэпкъхэри щыIэжкъым. Бзэхэр хъумэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ 1992 гъэм Европэм и Советым къищта «Европейская Хартия региональных языков или языков меньшинств» дэфтэрым. Абы Iэ щIэзыдза къэралхэм ягъэзэщIэну я пщэм далъхьэжахэм ящыщщ мыпхуэдэ къалэнхэр: зи цIыху бжыгъэр мащIэ лъэпкъхэр зэрыс щIыналъэхэм къэрал къулыкъу Iуэхухэр зехьэныр абыхэм я бзэхэмкIэ къыщызэгъэпэщыныр; ахэр хуит щIын къэрал IуэхущIапIэхэм лъэIухэр, тхьэусыхафэхэр я бзэхэмкIэ ягъэхьыныр, къэрал органхэм я пщэм дэлъхьэн жэуапхэр а бзэхэмкIэ къратыжыныр; ар щащIэм и деж, а Iуэхум хэтхэм нэхъ къащтэмэ, ар щIыналъэм исхэм я бзэмкIэ егъэкIуэкIыныр, нэгъуэщIхэри. Хартием и хабзэхэр Евросоветым хэт дэтхэнэ къэралми егъэзащIэ. УФ-ми, Европэ Советым щыхыхьэм, а дэфтэрым Iэ щIидзащ икIи и пщэ дилъхьэжащ «щIыналъэ бзэхэм» ятеухуа а хабзэхэр игъэзэщIэну. УФ-м исщ лъэпкъыбзэмкIэ къыхэгъэщхьэхукIауэ, урысыбзэм нэмыщI нэгъуэщIыбзэкIи псалъэу лъэпкъ бгъущIым нэблагъэ. Абыхэм ящыщу щэщIым нэсым лъэпкъ-щIыналъэ субъект яIэщ (республикэхэр, автономнэ округхэр, автономнэ областхэр). Шэч хэмылъу, а субъектхэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэр «Хартием» зи гугъу ищI «щIыналъэ бзэуэ» къэплъытэ хъунущ. АтIэ, сыт хуэдэу пIэрэ Урысей Федерацэм а дунейпсо хабзэр зэрыщагъэзащIэр? Мыбдежым псом япэу жыIэн хуейщ: бзэхэм ятеухуауэ Урысей Конституцэм егъэув хабзэ гъэщIэгъуэнхэр. Ахэр зэрыщытыр мыращ. Япэрауэ, УФ-м къэралыбзэу щагъэувауэ зыщытетыр урысыбзэрщ, ауэ субъектхэр хуитщ урысыбзэм и гъусэу я лъэпкъыбзэхэр къэралыбзэу ягъэувыну. Республикэ куэдым хуэдэу, КъБР-ми апхуэдэ закон къыщащтащ. ЕтIуанэрауэ, республикэхэм я къэрал IуэхущIапIэхэм, куей, къуажэ органхэм, урысыбзэм и гъусэу, лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр къыщагъэсэбэпу щытын хуейщ. Апхуэдэу Урысей Федерацэр шэсыпIэ йоувэ къэралым ис дэтхэнэ лъэпкъми и бзэр хъума хъун, яджын, зиужьын папщIэ, Iэмал псори къызэригъэпэщыну. Урысей Федерацэм къыщащтащ икIи щылажьэу къалъытэ «УФ-м щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм ятеухуауэ» хабзэр. Шэч хэмылъу, апхуэдэ законым и къалэн нэхъыщхьэу увын хуеяр УФ-м и Конституцэм «щIыналъэ бзэхэм» ятеухуауэ итхэр гъащIэм хэпщэнырт, ахэр лажьэу къызэригъэпэщынырт. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, законым и купщIэм апхуэдэ муради икIи хэлъкъым, икIи игъэувыркъым. Уеблэмэ, «щIыналъэ бзэхэм» егъэщIылIауэ щыт еплъыкIэ зэхэзэрыхьа куэд къызэщIеубыдэ абы. Псалъэм папщIэ, УФ-м и лъэпкъ псоми я бзэхэм зэхуэдэ хуитыныгъэ яIэу жеIэри, ар-дыдэм деж языныкъуэ бзэхэр къупхъэ гуэрхэм ирегъэувэ, нэгъуэщI бзэм тепщэныгъэ хуегъэфащэри. Законым и 9-нэ статьям итщ УФ-м и цIыхухэм я анэдэлъхубзэмкIэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну Iэмал яIэу, арщхьэкIэ, уеIэбыхмэ, а статья дыдэм къегъэув егъэджэныгъэр зэрекIуэкIыну бзэр а IуэхущIапIэр зи нэIэ щIэту лажьэм игъэувыпхъэу. Зэрытлъагъущи, адыгэхэми балъкъэрми ди анэдэлъхубзэмкIэ щIэныгъэ зэдгъэгъуэтыну хуит дызыщI статьяр зыщIыпIи нэсакъым, хьэуам хэкIуэдэжащ. Апхуэдэ щапхъэр куэдщ. Хабзэр щыIэми, ар гъэзэщIа зэрыхъун Программэр зыми илъэгъуакъым. И гугъу тщIынти адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ ди республикэм щаIэ щытыкIэм. Адыгэбзэм теухуа гурыгъузхэр лъэпкъ, жылагъуэ зэгухьэныгъэ зыбжанэм, щIэныгъэлIхэм, адыгэ тхакIуэхэм, этнографхэм, егъэджакIуэхэм, щэнхабзэ лэжьакIуэхэм, нэгъуэщIхэми я псалъэмакъхэм щIэх-щIэхыурэ къыхощ. Абы теухуа мониторинг зыми иримыгъэкIуэкIами, нэрылъагъущ Къэбэрдей-Балъкъэрым къихъуэ щIэблэм анэдэлъхубзэкIэ псалъэу яхэтыр нэхъ мащIэ зэрыхъур. А Iуэхур щынэхъ щIагъуэкъым Къэрэшей-Шэрджэсми Адыгейми, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэм щыпсэу адыгэхэм я гугъу дымыщIыххэми. Дэ жыдоIэ хамэ къэралхэм адыгэ мелуан бжыгъэ зэрыщыпсэур, ауэ мащIэ дыдэрэщ дызэрытепсэлъыхьыр абыхэм ящыщ щIалэгъуалэм, илъэс 20 — 30 зи ныбжьхэм, я нэхъыбэм адыгэбзэ зэрамыщIэм. Сыт хуэдэ Iуэху щекIуэкIрэ-тIэ ди республикэм анэдэлъхубзэр хъумэным ехьэлIауэ? Псом япэу къэгъэлъэгъуэн хуейщ КъБР-м и Конституцэм ипкъ иткIэ, урысыбзэм и гъусэу Къэбэрдей-Балъкъэрым адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ къэралыбзэу щыгъэувауэ зэрыщытыр. ЕтIуанэрауэ, анэдэлъхубзэр къэгъэсэбэпыным и хуитыныгъэр УФ-м и Конституцэми КъБР-м и Конституцэми зыкIи щызэщхьэщыкIыркъым, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, а хабзэ телъыджэр ди республикэм щылажьэркъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэщ «КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм ятеухуауэ» хабзэр. Абы зэритымкIэ, анэдэлъхубзэр къэрал къулыкъущIапIэхэм къыщагъэсэбэпын хуейщ, ауэ ухуэзэну пIэрэ ди республикэм и Правительствэм, Парламентым, министерствэ гуэрым, куей муниципалитетым я зэIущIэхэр адыгэбзэкIэ е балъкъэрыбзэкIэ щрагъэкIуэкIыу? Хьэуэ, ухуэзэркъым. АтIэ сыт хабзэгъэувым апхуэдэ хуитыныгъэхэр УФ-м и Конституцэми, КъБР-м и Конституцэми, Европэм и Хартиеми щIритхар? Абы хьэкъыу пхыкIауэ ищIэрт: бзэр мылажьэмэ, абы и кIуэдыжыгъуэр къэсауэ аращ. А Iуэхум тегузэвыхьу аращ хабзэгъэувым ахэр къэралпсо, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ дэфтэрхэм щIритхар. Арэзы укъищIынкIэ Iэмал иIэкъым анэдэлъхубзэр школхэм зэрыщаджым. Абы щыхьэт тохъуэ щIалэгъуалэм я «псалъалъэр» къулейсыз зэрыхъур. Апхуэдэу, анэдэлъхубзэкIэ быныр егъэджэныр, абы лъэпкъ гъэсэныгъэ етыныр зи къалэну щыт адэ-анэхэм ящыщ куэди а Iуэхум елIалIэркъым. А Iуэхугъуэхэр бзэм зиужьыным лъакъуэпэщIэдз хуэзыщIхэм ящыщщ. Iуэхур ефIэкIуэн папщIэ, сэ сызэреплъымкIэ, япэрауэ, республикэм и къулыкъу нэхъыщхьэ дыдэм къыбгъэдэкIыу, политикэ къару иIэу къэлъытэн хуейщ ди анэдэлъхубзэхэр щытыкIэ гугъум зэритыр, ахэр кIуэдыжынымкIэ шынагъуэр гъунэгъу дыдэ зэрыхъуар. Абы ипкъ иткIэ, бзэхэр хъумэным, абыхэм зегъэужьыным теухуауэ республикэм икIэщIыпIэкIэ щызэфIэкIэгъыпхъэ Iуэхухэр убзыхун хуейщ. ЕтIуанэрауэ, «КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм ятеухуауэ» республикэ хабзэм елэжьыжауэ щIэрыщIэу къэщтэн хуейщ. Ар къыщхьэщыкIын хуейкъым бзэхэм ятеухуауэ УФ-мрэ КъБР-мрэ я Конституцэхэм къыщыгъэлъэгъуахэм. Законыр щызэхалъхьэкIэ къэгъэсэбэпын хуейщ УФ-м хыхьэ адрей республикэхэм мы Iуэхум теухуауэ щыIэ щапхъэфIхэр. Ещанэрауэ, икIэщIыпIэкIэ зэхэлъхьэн хуейщ анэдэлъхубзэхэр мыкIуэдыжыным, заужьыным хуэгъэпса Программэ щхьэхуэ. ЕплIанэрауэ, бзэр хъумэным епха Iуэхугъуэхэр республикэм и жылагъуэ гуп зэгухьэныгъэхэм, политикхэм, къулыкъущIэхэм, щIэныгъэлIхэм я къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу щытыпхъэщ. Апхуэдэу анэдэлъхубзэм ехьэлIа Iуэхухэр щIэх-щIэхыурэ къыщыIэтын хуейщ лъэпкъ газетхэм, журналхэм, радиом, телевиденэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди анэдэлъхубзэхэр нобэ щытыкIэ гугъу зэритыр къэлъытэн хуейщ. А щытыкIэм икIэщIыпIэкIэ фIы и лъэныкъуэкIэ зимыхъуэжмэ, ди адыгэбзэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэщ. Ар къэмыхъун щхьэкIэ дэтхэнэ зы адыгэми тхузэфIэкIкIэ защIэдгъэкъуэн хуейщ бзэм зегъэужьыным хуэлажьэхэм. ХЬЭЩIЭЛI МуIэзин, «Къэбэрдей конгресс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26123.txt" }
Гугъуехьхэм зэи къапикIуэтакъым Ди республикэм и тхыдэм, псом хуэмыдэу абы и егъэджэныгъэ IэнатIэм къикIуа гъуэгуанэм зи цIэ къыхэбелджылыкIхэм ящыщщ КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и отличник Пащты СулътIан Аслъэмырзэ и къуэр. Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ къапэкIуэу ЩIыхь Орденым и нагъыщитIыр, Вагъуэ Плъыжь орденыр, Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр, нэгъуэщI къэрал дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща, зауэ нэужь лъэхъэнэм зэфIэкIрэ щIэныгъэу бгъэдэлъыр щIыналъэм егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэр щегъэфIэкIуэным хуэзыгъэпсу, пщIэрэ щIыхьрэ зиIэу дунейм тета цIыхущ Пащтыр. Псэужамэ, абы и ныбжьыр илъэс 90 ирикъунут. Пащты СулътIан Пащты СулътIан Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм 1923 гъэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт илъэсибл школыр ехъулIэныгъэ иIэу къиуха нэужь, щIалэ жыджэрыр и егъэджакIуэхэм я чэнджэщкIэ щIэтIысхьащ Налшык дэта педрабфакым. ГъащIэщIэр къэралым щыщаухуэ зэманти, цIыхубэм нэхурэ щIэныгъэрэ къахуэзыхь IэщIагъэлIхэр, псом хуэмыдэу егъэджакIуэхэр, дэнэкIи щымащIэт. А IэщIагъэм илъэсищкIэ хуеджа СулътIан пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу Къармэхьэблэ дэт школым ягъэкIуащ. Апхуэдэу къыщIидзащ фIыгъуэ куэд къезыта, езыми и гуащIэшхуэ зыхилъхьа егъэджакIуэ гъуэгуанэр. Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям, Пащтым дзэм къулыкъу щищIэрт. Фочауэхэр, радистхэр щагъэхьэзыру Краснодар дэта школыр къэзыухахэм яхэту Пащтыр зауэм щыIухьащ Мелитополь, Новокузнецк къалэхэм япэмыжыжьэу. 1942 гъэм и накъыгъэм къыщыщIэдзауэ ар щызэуащ Сталинград и Iэшэлъашэхэм, къалэр бийм щызыхъумэ, генерал Руссиянов зи унафэщI гвердейскэ корпусым хэту. Сталинград деж щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм СулътIан и псэ емыблэжу щапэщIэтащ бийм, мызэ-мытIэуи уIэгъэ хьэлъэ хъууэрэ сымаджэщым щIэлъащ. Къалэр щихъумэм къытехуауэ щыта лагъым къутахуэр Пащтым илъэс 56-кIэ кърихьэкIащ и дамэм хэлъу. ИужькIэ операцэ ящIри къыхахыжауэ щытащ. А щIыпIэм, псэзэпылъхьэпIэ хьэлъэм икIи зауэм и зэхэгъэкIыпIэ шынагъуэм, щызэрихьа хахуагъэм папщIэ Пащтым къыхуагъэфэщауэ щытащ къэрал дамыгъэ лъапIэ куэд, ЩIыхь Орденым и ещанэ, етIуанэ нагъыщэхэри яхэту. Абы щыгъуэм ар хагъэхьауэ щытащ коммунист партми. Сталинград бийм щахъума нэужь, 1944 гъэм Пащтыр зыхэт фочауэ дивизэр щызэуащ Запорожье, Днепропетровск къалэхэм я гъунэгъуу. Абдеж зауэлI хахуэр еплIанэу уIэгъэ щыхъуащ, ауэ ари иужьрейтэкъым япэ итхэм ящIыгъуу бийм ебгъэрыкIуэ адыгэ щIалэм и дежкIэ. Сымаджэщым нэхъыфI щыхъужа нэужь, ар аргуэру фронтым Iухьэжащ икIи Украинэм, Румынием, Чехословакием, Венгрием щызэуащ. Етхуанэ биишэр сэлэт хахуэм къыщытехуащ Венгрием щыIэу. ЗимыщIэжу хьэлъэу ар гъэр ящIащ, арщхьэкIэ мыбдежми лIыгъэ къыкъуэкIащ Пащтым. ГъэрыпIэм цIыхугъэ щыхуэхъуа зауэлI гупым я пашэу ар къыщIэпхъуэжыфащ, ди дзэми къахыхьэжыфащ, и зауэ гъуэгуанэми адэкIэ пищащ. Хэку зауэшхуэр иухыху Iутащ ар фронтым. ИужькIэ Япон зауэми хэтащ. Пащты СулътIан щалъхуа и щIыналъэм и лъэр щытеувэжар 1946 гъэращ. Мамыр гъащIэм хуэпабгъэу къэкIуэжа зауэлI хахуэм, лейтенант нэхъыжьым и бгъэгум щылыдырт зауэм щызэрихьа лIыгъэхэм папщIэ кърата ордениплIрэ медалиблрэ, апхуэдэу абы къыхуагъэфэщат Советыдзэхэм я Командующэ Нэхъыщхьэ Сталиным къыбгъэдэкI ФIыщIэ тхылъи. Коммунист жыджэрым занщIэу дзыхь къыхуащIащ жэуаплыныгъэ зыпылъ парт IэнатIэ. Ар ягъэуващ КПСС-м и Куба райкомым пропагандэмрэ агитацэмкIэ и къудамэм и унафэщIу, иужькIэ къызэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ къудамэм и пашэуи лэжьащ. ЗэфIэкI лъагэ, гупсысэ шэщIа, акъыл нэху зиIэ Пащтыр мыгувэу ягъэуващ райкомым и секретару. А парт къулыкъум пэрытурэ, СулътIан къиухащ Геленджик къалэм дэт парт школыр, иужькIэ КъБКъУ-м и тхыдэ факультетыр. ПщIэ зиIэ парт къулыкъу лъагэ зэрихьэми, Пащтым и гум сыт щыгъуи илът егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхур. Дауи, ар зыпэрыт IэнатIэри куэдкIэ епхат цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, къэралым хуэфащэ щIэблэ къэгъэтэджэным, арщхьэкIэ егъэджэныр зи псэм хэлъ цIыхум и дежкIэ ар мащIэт. — Ди адэр егъэджакIуэ IэщIагъэм къыхуалъхуауэ зыхужаIэ цIыхухэм ящыщт. Гува-щIэхами, абы а IэнатIэм зэригъэзэжынур нэрылъагъут, — и адэр игу къигъэкIыжу жеIэ абы и къуэхэм ящыщ, «КПРФ» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и пашэ Пащты Борис. — Абы хуабжьу фIыуэ илъагъурт и щIалэгъуэм къыхиха IэщIагъэр, абы пыщIа псори. Апхуэдэу ди адэр ущиякIуэ, унэтIакIуэ гъуэзэджэт. Ухимыгъэзыхьыщэу, къыптримыкъузэу, абы гъуэгу захуэм утришэфырт. Абы хуэщIат абы и псалъэ Iущхэри, чэнджэщ лъапIэхэри, езым и гъащIэ щапхъэри. Илъэс 35-м щIигъукIэ Пащты СулътIан хэтащ егъэджэныгъэ IэнатIэм. Пэжыгъэр, жэуаплыныгъэр, зэпIэзэрытыныгъэр, цIыху хэтыкIэ лъагэр, зэхэщIыкI куур зи хьэл цIыху щыпкъэм дзыхь къыхуащI дэтхэнэ IэнатIэри иригъэфIакIуэрт. Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт курыт школ №4-м и унафэщIу щыщыта илъэсхэр ноби ящIэж жылэм дэсхэм, а лъэхъэнэм абы къыдэлэжьахэм, иригъэджахэм. Пащтым и фIыгъэкIэ, школым къыщызэрагъэпэщауэ щытащ еджакIуэхэм я производственнэ бригадэ. Абы и лэжьыгъэр апхуэдэу къызыхуэтыншэу зэтеубла хъуати, щIэх дыдэу хъер къиту хуежьащ. НыбжьыщIэхэм я гуащIэдэкI лэжьыгъэм къэрал гулъытэ игъуэтауэ щытащ. Абыхэм я зэфIэкIыр щагъэлъэгъуащ Союзпсо мэкъумэш гъэлъэгъуэныгъэм, абы и дыжьын медалри къыхуагъэфэщат. УнафэщI IэкIуэлъакIуэм и нэIэм щIэту лэжьахэм, еджахэм зэрыжаIэжымкIэ, Пащтыр адрейхэм къахэщырт и Iуэху зехьэкIэ пэрытымкIэ, гупыр зы мурадышхуэм хуиунэтIыфырт, зэкъуигъэувэрт, ехъулIэныгъэм хуишэрт. 1961 гъэм Пащтым IэщIалъхьащ Бахъсэн районым егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэр. А къалэныр абы илъэс зыбжанэкIэ зэрихьащ, пэжу, гугъуехьхэм къапимыкIуэту, игъэлажьэхэм щапхъэ яхуэхъуу. ИужькIэ СулътIан лэжьащ Бахъсэн дэт етIуанэ курыт школым, итIанэ езанэм я унафэщIу. А илъэсхэм Пащтым аргуэру къызыкъуихащ зэфIэкI куэд. Ар зи унафэщI IуэхущIапIэр районым пашэ щыхъурт еджэнкIи, гъэсэныгъэкIи, жылагъуэ IуэхухэмкIи. Дэтхэнэ IуэхуфIми и жэрдэмщIакIуэт унафэщI гумызагъэр. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ лъагэхэр, бгъэдэлъ зэчиишхуэр къалъытэри, Пащты СулътIан къыфIащауэ щытащ цIэ лъапIэхэр, къэрал дамыгъэхэр. И ныбжьыр нэсу пенсэм кIуа нэужьи, СулътIан тIысыжакъым. Япэ щIыкIэ ар лэжьащ район фильмотекэм и унафэщIу, иужькIэ щытащ ветеранхэм я Бахъсэн куей советым и пашэу. А жылагъуэ IэнатIэри пщIэ пылъу ирихьэкIащ Пащтым, районым и ныбжьыщIэхэм, щIалэгъуалэм хэкупсэ гъэсэныгъэ ядригъэкIуэкIыу, абыхэм яхуэзэрэ епсэлъылIэу, гупсысэхэмкIэ ядэгуашэу. Апхуэдиз лэжьыгъэфI зи IэрыкI Пащтым унагъуэ дахи иухуащ. СулътIан и щхьэгъусэ Нини егъэджакIуэти, тIуми я къару куэд халъхьащ а IэнатIэр егъэфIэкIуэным. Зэщхьэгъусэхэм я ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ абыхэм я бынхэр. Абыхэм псоми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ, я гум къыхиха IэщIагъэхэм иролажьэ, гъащIэм увыпIэ екIу щагъуэтауэ, унагъуэ щхьэхуэ хъужауэ. Быным я нэхъыжь Эммэ, и адэм ещхьу, курыт школым тхыдэр щрегъэдж. Валерэ дзэ академиер къиухащ, абы епха IэнатIэм Iутщ. Борис жылагъуэм щыцIэрыIуэ, пщIэшхуэ щызиIэ цIыхущ. Илъэс зыбжанэкIэ министру лэжьащ, иджыблагъэ дзыхь къыхуащIащ Компартым и щIыналъэ къудамэм и япэ секретару щытыныр. Абы къыкIэлъыкIуэ Ритэ экономистщ, IэнатIэ хъарзынэ иIыгъыу мэлажьэ. Зэдэлъхузэшыпхъухэм я нэхъыщIэ Альберти щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэщ. Ар адэжь лъапсэм и хъумакIуэщ. Унагъуэ дахэм нобэ ящхьэщытыжкъым нэхъыжьыфIыр. Илъэс зыбжанэ и пэкIэ ар дунейм ехыжащ. Езыр щымыIэжми, ди гъащIэм къыхэнащ Пащты СулътIан, зауэлI хахуэм икIи егъэджакIуэ Iэзэм, и фэеплъ дахэ куэд. Абы и псалъэ Iущхэмрэ бгъэдэлъа Iуэху зехьэкIэ екIумрэ иджыри я щапхъэщ къыщIэна и унагъуэм, и бынхэм, къыдэлажьэу щытахэм, иригъэджахэм. Пащты СулътIан Аслъэмырзэ и къуэм и цIэр зэрехьэ Бахъсэн къалэм и уэрамхэм ящыщ зым. А цIэм иропагэ ар зыфIаща езанэ курыт школу Бахъсэн дэтым и гъэсэнхэри. Апхуэдэхэм я фэеплъыр куэдрэ жылагъуэм щахъумэ. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26129.txt" }
ХэкIыпIэхэмрэ мурадхэмрэ яубзыху Ди газетым зэрытетащи, Хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэмрэ къэзыгъэзэжахэмрэ я IуэхукIэ щыIэ комиссэм и зи чэзу зэIущIэр гъубж кIуам екIуэкIащ. Ар къызэIуихащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, комиссэм и тхьэмадэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. Республикэ властыр хамэ къэрал щыхэхэс ди къуэшхэмрэ хэкум къэзыгъэзэжахэмрэ зэрадэлажьэм теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин. — Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм, ди лъахэм къэIэпхъуэхэм, иIэпхъукIхэм ехьэлIа Iуэхур ди къэралми республикэми япэ щрагъэщ къалэнхэм ящыщщ, — жиIащ Къумахуэм. — Абы теухуауэ программэ, унафэ убзыхуахэм тету зэдолажьэ зи гугъу тщIы Iуэхум епха министерствэ, ведомствэ псори. КъищынэмыщIауэ, къыхэгъэщыпхъэщ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэр, «Алан» балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэр, «Пэрыт» зэгухьэныгъэр жыджэру къызэрыддэлажьэр. Къумахуэм и гугъу ищIащ Тыркум щыпсэу ди къуэшхэм я щIэблэм, Мэздэгу районым (Осетие Ищхъэрэ-Алание) ис адыгэ сабийхэм ди республикэм и санаторэхэм 2012 гъэм зэрызыщагъэпсэхуам, хамэ къэрал щыIэ ди лъэпкъэгъухэм ящыщ щIалэгъуалэ хьэрычэтыщIэхэр, IэщIагъэлIхэр лэжьыгъэ IуэхукIэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и деж къызэреблэгъам, апхуэдэуи хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ хъуным теухуа зэхыхьэхэр зэрырагъэкIуэкIам. Къумахуэ Мухьэдин зэрыжиIамкIэ, дызэрыт зэманым гулъытэ хэха зыхуащIхэм ящыщщ Сирие Хьэрып Республикэм къикIыжхэр зыхуей хуэгъэзэныр. Абы папщIэ, республикэм и Iэтащхьэм и унафэкIэ, къэкIуэжауэ щыIэхэмрэ дяпэкIэ къэIэпхъуэжынухэмрэ псэупIэ щыхуащIыну щIыпIэхэр, иратыну дэIэпыкъуныгъэр, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри яубзыхуащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2013 гъэм республикэм къэIэпхъуэжыну хуитхэм я бжыгъэр мин ирикъуащ. НобэкIэ къэкIуажахэм я Iуэху зыIутри дыщIигъуащ. Абы теухуауэ нэхъ убгъуауэ къэпсэлъа Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ илъэситI хъуауэ Сирием щызэпэщIэт къарухэм яку цIыху къызэрыгуэкIхэр зэрыдэкIуадэр, куэдым уни мылъкуи зэрамыIэжыр, апхуэдэ лей зылъысхэм ди лъэпкъэгъухэри зэрахэтыр. — Дэ къытIэрыхьэ хъыбархэм ятепщIыхьмэ, зэрыхьзэрийр къызэрыхъейрэ адыгэу цIыху 50 хэкIуэдащ, абыхэм ящыщу щIали 3-рат дзэм хэтыр, адрейхэр а зэтракъута, ди лъэпкъэгъухэр зыдэса къуажи 7-м щыщхэращ. Нобэрей махуэм тепщIыхьмэ, Сирием щызэхэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм унагъуэ мин 1,5-рэ зришэлIащ, Тыркум цIыху мини 4-м нэс кIуащ, Иорданым мини 3 щыIэщ, Урысей Федерацэм къэзыгъэзэжахэм я бжыгъэр миным щIегъу, — жиIащ Сэхъурокъуэм. — Бэлыхь хэхуа ди лъэпкъэгъу дэтхэнэми дызэрыдэIэпыкъуным иужь дитщ. ДАХ-м и тхьэмадэм зэрыжиIамкIэ, Сирием и къэрал къулыкъущIапIэхэр зэрызэтракъутам къыхэкIыу, дэфтэрхэр къыдэзымыхыф ди лъэпкъэгъу куэд иджыри къинащ абы. КъищынэмыщIауэ, нэгъуэщI къэралхэм пIалъэкIэ Iэпхъуахэм яхэтщ я адэжь щIыналъэм къэзыгъэзэжын мурад зиIэхэри. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, 2013 гъэм иджыри цIыху миным щIигъу хэкум къэкIуэжынущ. НобэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Сирием къикIыжауэ цIыху 487-рэ щопсэу, абыхэм ящыщу Налшык дэт санаторэхэм — цIыху 204-рэ щIэсщ, адрейхэм хэти фэтэр къищтащ, хэти унэ къратам Iэпхъуэжащ, хэти и унэкъуэщхэм я деж щыIэщ. Хэкум къэзыгъэзэжахэм я процент 30-р щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ IэщIагъэлIхэщ (дохутырхэр, егъэджакIуэхэр, программистхэр, экономистхэр яхэтщ), адрей процент 70-р курыт щIэныгъэ зэзыгъэгъуэта лэжьакIуэхэщ. — Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ счет щхьэхуэхэр къызэIуахауэ мэлажьэ, къэзыгъэзэжхэм иридэIэпыкъуу, — къыпищащ адэкIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — КъищынэмыщIауэ, цIыху щхьэхуэхэм я уней мылъкум къыхахыурэ Сирием щыщу ди деж щеджэ студентхэм ядэIэпыкъуащ, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм дохутыр кIэлъыплъыныгъэ хуэныкъуэхэм пщIэншэу еIэзэныр къызэригъэпэщащ. Ди республикэм къэзыгъэзэжахэм я сабийхэр курыт еджапIэхэм щIэгъэтIысхьэнри гулъытэншэу къэдгъэнакъым. Налшык къалэ дэт школхэм ныбжьыщIэ 73-рэ щоджэ, сабийхэми балигъхэми папщIэ урысыбзэмкIэ дерсхэр курыт школ №8-м щокIуэкI. Къэбгъэлъагъуэмэ, ди лъэпкъэгъухэр къызэрыкIуэж махуэрэ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ хуегъэджэныр къызэрагъэпэщащ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм. Сэхъурокъуэм зэрыжиIамкIэ, «Пэрыт» зэгухьэныгъэм лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI ди лъэпкъэгъухэм унэхэр республикэм и район зэмылIэужьыгъуэхэм къыщащэхунымкIэ. Апхуэдэуи Москварэ Налшыкрэ щекIуэкIа псапащIэ концертхэм къахэкIа сом мелуанитIым нэблагъэри а Iуэхум трагъэкIуэдащ. КъБР-м къэIэпхъуэжахэм ядэIэпыкъунымкIэ щыIэ гугъуехьхэм щытепсэлъыхьым ДАХ-м и тхьэмадэм къыхигъэщащ ди лъэпкъэгъухэр Урысейм къихьэнымкIэ зыхуей дэфтэрхэр гъэхьэзырыным лъэпощхьэпо куэд зэриIэр; къэкIуэжахэр щыпсэу санаторэхэм щыщыIэ щытыкIэм арэзы укъызэримыщIыр, зауэм кърихужьахэм зыри зэраIэщIэмылъым къыхэкIыу, щыгъын хуабэ, унагъуэм къыщагъэсэбэп нэгъуэщI хьэпшыпхэм зэрыхуэныкъуэр; нэхъ щIалэхэр лэжьапIэ гъэувыным и Iуэхур. Абыхэм я хэкIыпIэхэри, дяпэкIэ лэжьыпхъэхэри къыхэщу зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Правительствэм Хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэмрэ къэзыгъэзэжахэмрэ я IуэхукIэ щыIэ комиссэм хэтхэр. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26132.txt" }
КIэкIыхъу Мэжид и гуфIэгъуэ тIуащIэ Мы гъэм и мазаер IуэхугъуэфIхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ КIэкIыхъу Мэжид и дежкIэ. Абы и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирикъуащ, Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу зэрыщытри илъэс 20 мэхъу. ПщIэрэ щIыхьрэ зыпылъ гъуэгуанэ къызэринэкIащ Мэжид, абы щыщ зэман куэд зыхухихар жыджэру, бжыгъэкIи хьэлагъкIи къыпхуэмыпщытэну, тенджыз ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм я Хасэмрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ яхуищIа лэжьыгъэрщ. Мэжид (ижьымкIэ щытщ) йохъуэхъу Лыбанев Владимиррэ Полянский Сергейрэ. Абы щыгъуэм, лъэпкъ зэщIэхъееныгъэр къыщежьагъащIэм, ар лъэ быдэкIэ щыувым, Мэжидрэ абы и дэIэпыкъуэгъухэмрэ ягъэтIылъа жылэр нобэ пыкIэ дахэ зиIэ лъабжьэ хъуащ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу щIыналъэм Хасэм щиIэ Iулыджым и инагъым зыми шэч къытрихьэркъым, и IуэхущIафэхэр хыболъагъуэ лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэм щызэфIигъэкIа лэжьыгъэм. ГъащIэм и IэнатIэ куэдым — экономикэм, псэукIэм, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм ехьэлIахэм — лэжьыгъэм и пIалъэ щызригъэщIащ Хасэм. Шапсыгъхэм я дежкIэ хъуэпсапIэ къудейуэ щыта куэд гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуащ КIэкIыхъумрэ абы къыкъуэтхэмрэ я фIыгъэкIэ. Дыщыпсэу щIыпIэм ис лъэпкъыжьым и Iуэху дэзыгъэкI жылагъуэ зэгухьэныгъэр зи ужь имыт гъуэтыгъуейщ: шапсыгъхэм я конституцэ хуитыныгъэхэр хъумэныр, щIыпIэ, щIыналъэ властхэм запыщIэныр, къуажэхэм я социально-экономикэ Iуэхухэр дэгъэкIыныр, псэкупсэр хъумэныр, фэеплъхэм гулъытэ яхуэщIыныр, къуэш республикэхэм, хамэ къэрал щыхэхэс адыгэхэм, лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэныр. ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ — Адыгэ Хасэм и пащхьэ къит къалэнхэр куэд мэхъу, — жеIэ КIэкIыхъу Мэжид. — Дэ, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым ещхьу, ди псэукIэр, егъэджэныгъэр, щэнхабзэр, щIалэгъуалэ политикэр егъэфIэкIуэным хуэлажьэ министерствэ, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэр диIэкъым. А псори зи пщэ къыдэхуэр Шапсыгъ Хасэращ. Ауэ щыхъукIи, ди лъахэм щылажьэ къэрал къулыкъущIапIэхэм зыкIи дапэщIэувэркъым, атIэ куэд щIауэ абыхэм купщIафIэу дадолажьэ. Апхуэдэ зэхущытыкIэ, зэдэлэжьэкIэ зэтеублам къыпэкIуэ Iуэхухэри Iейкъым. Дэ ди къалэн нэхъыщхьэр ди лъахэгъухэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр къэгъэлъэгъуэнырщ, абыхэм я хэкIыпIэхэр къэлъыхъуэнырщ, лъэпкъым и Iуэху дэкIынымкIэ зэрытхузэфIэкIкIэ дыдэIэпыкъунырщ. Ар, дауи, пщэрылъ цIыкIукъым. АтIэ зэман, къару, мылъку зытекIуадэ Iуэхушхуэщ. Жылагъуэ лэжьыгъэр, псоми зэращIэщи, инщ, фейдэ, фIыщIэ къызыпэмыкIуэщ. Зи ужь уихьар зэбгъэхъулIэн папщIэ лъэпощхьэпо куэдым уаблэкIын хуей мэхъу. «Кабардинка» ансамблым и солистхэр. Шапсыгъ Адыгэ Хасэм теухуауэ КIэкIыхъум депсэлъылIэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар, ипэкIэ зэрыжытIащи, и гуфIэгъуэ тIуащIэращ. Абы ехъуэхъуну пшыхьым кърихьэлIащ и ныбжьэгъухэр, и къуажэгъухэр, Сочэ къалэм, ТIуапсы куейм и жылэхэм щыщ лIыкIуэхэр. Мэжид деж къэпсэлъащ, хъуэхъу телеграммэхэр къагъэхьащ Краснодар крайм и япэ вице-губернатор Хьэту Жамболэт, Адыгэ Республикэм и премьер-министр КъумпIыл Мурат, Сочэ и Iэтащхьэ Пахомов Анатолэ, Сочэ и къалэ Зэхуэсым и унафэщI Луцык Анатолэ сымэ. Мэжид и гуфIэгъуэр даIэтыну пшыхьым кърихьэлIащ Лазаревскэ куейм и администрацэм и Iэтащхьэ Полянский Сергей, ТIуапсы куейм и депутатхэм я советым и тхьэмадэ Хъущт Мэжид, тенджыз фIыцIэм и Iуфэм Iус шапсыгъхэм я нэхъыжьхэм я советым и унафэщI Гъуафэ Руслан, Сочэ и къалэ Зэхуэсым и депутатхэр, а къалэмрэ ТIуапсы куеймрэ я Iимам нэхъыщхьэ Щхьэлахъуэ Батмызэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. ЗэIущIэм хэта, Адыгэ Республикэм и Парламентым и депутат КIэрмыт Мухьдин АР-м и Къэрал Советым — Хасэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр Мэжид иритыжащ. Апхуэдэуи АР-м щызэхэт Адыгэ Хасэм, АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм запыщIэнымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэр, ТIуапсы район администрацэм и Iэтащхьэ Лыбанев Владимир сымэ къабгъэдэкI хъуэхъухэри лъагъэIэсыжащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIа хьэщIэ лъапIэхэм — Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ я хъуэхъу псалъэхэмрэ тыгъэхэмрэ нэмыщI, къеджащ адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымкIэ фIыщIэ ин зэриIэм папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр фIэщыным теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къыдигъэкIа унафэм. Зи махуэр зыгъэлъапIэ КIэкIыхъу Мэжидрэ абы и хьэщIэхэмрэ папщIэ а пщыхьэщхьэм къэфащ «Шапсугия» цIыхубэ ансамблымрэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблымрэ хэтхэр, адыгэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Ташло Алийрэ Хьэрэдурэ Динэри пшы-хьыр ягъэдэхащ. Ныбэ Анзор.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26134.txt" }
Къэзакъхэм я уней лъапсэ Щэбэт кIуам, гъатхэпэм и 16-м, Прохладнэ къалэм и ут нэхъыщхьэм нэгузыужьу щрагъэкIуэкIащ Тхъушх махуэр. Сабийхэм, балигъхэр я нэгу зрагъэужьащ ажэгъафэ- хэм, гъуохэм, уэрэджыIакIуэхэм. Апхуэдэу сурэтыщIхэм, сурэттеххэм я лэжьыгъэхэр, егъэджэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я IуэхущIапIэхэм я еджакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр ягъэлъэгъуащ. Утым къыщызэIуахат къэзакъхэм я уней лъапсэ. ГуфIэгъуэр хуабжьу яIэтащ IуэрыIуатэ гупхэмрэ самодеятельностым и артистхэмрэ. Прохладнэ къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Крецкий Евгений зэрыжиIамкIэ, мы махуэр сыт щыгъуи нэгузыужьу йокIуэкI: «ЦIыхухэм гукъыдэжышхуэ яIэу загъэпсэху. АдэкIэ гъатхэ лэжьыгъэхэр куэдщи, дэтхэнэри и Iуэху пэрыувэжынущ. Дэ къалэр гъэкъэбзэным, зэIузэпэщ щIыным теухуа мазитI лэжьыгъэ едгъэкIуэкIынущ, апхуэдэу республикэпсо щэбэт щIыхьэхум гъатхэпэм и 23-м дыхэтынущ». Панфиленкэ Людмилэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26140.txt" }
Нобэ ПсыщIагърыкIуэ кхъухьым къулыкъу щызыщIэ хыдзэлIым и махуэщ 1958 гъэм гъатхэпэм и 19 — 21-хэм Страсбург (Франджы) щызэхэтащ Европэ парламентым и япэ зэIущIэр. Къэрал Урыс музейр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 115-рэ ирокъу. Композитор, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Къашыргъэ Билал къызэралъхурэ илъэс 83-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ ДзыхьмыщI Зарэ и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 1 — 7, жэщым градуси 2 — 3 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26142.txt" }
Усэбзэ дахэ, къулей икIи къабзэ УсакIуэ цIэрыIуэ, зэдзэкIакIуэ Iэзэ Уэрэзей Афлик «ЛIэужь» зыфIища и тхылъыр Налшык и «Эльбрус» тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ. УсакIуэ ныбжьыщIэхэм щапхъэ зытрах Уэрэзей Афлик и къалэмыпэм нэхъапэIуэкIэ къыщIэкIащ «Iуащхьэжь», «Кхъужьей къудамэ», «Гъуэгущхьибл» усэ тхылъхэр, нэгъуэщIхэри. Афлик и усэбзэр дахэщ, къулейщ икIи къабзэщ. Аращ куэд къызэщIэзыубыдэ и усэхэм щIеджэгъуафIэри. ГъащIэм и гъуджэ мы тхылъыщIэм щызэхэухуэнащ лъэпкъ хабзэри, тхыдэм и пэжри, лъагъуныгъэри. Лъэпкъыбзэм, щэнхабзэм я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэу Къып Мухьэмэд, Нэхущ Мухьэмэд, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ТхьэкIумащIэ Валерэ, Бицу Анатолэ сымэ яхуитха усэхэри итщ тхылъым. Кхъужьей щхьэкIэм уэрэд къыщизыш жэнэтбзуитIым ухуэзышэ, мазэгъуэ жэщыр, сабийм и гуфIэкIэр, бжьыхьэ хадэм мыIэрысэ къыщызыщып пщащэр, ХьэтIохъущокъуэхэ я хадэм ит жыгейм и лъабжьэм къыщIэж жыгыщIэр уэзыгъэлъагъу усэ тхылъым дэрэжэгъуэ ин къыует. Усэм дихьэххэр мы тхылъым зэрыщыгуфIыкIынум, щIэх-щIэхыурэ ар къызэращтэнум шэч хэлъкъым. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26145.txt" }
Интернет-губгъуэм хъыбарыфIи щыIу хъунущ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр фIы и лъэныкъуэкIэ къегъэцIыхун!» къыхуеджэныгъэм щIэту къызэрагъэпэща, «Блогерхэм я еджапIэм» и зи чэзу зэхыхьэр. — Фэ республикэм, жылагъуэм фIы и лъэныкъуэкIэ къыщыхъухэм я джакIуэу, я хъыбарегъащIэу фыщытыпхъэщ, — жиIащ Парламентым и Тхьэмадэ Чеченов Ануар, къызэхуэсахэм фIэхъус гуапэкIэ защыхуигъазэм. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и телъхьэу къэпсэлъащ хабзэгъэув IэнатIэм и комитетым и унафэщI Хьэщхъуэжь Татьяни: — Блогхэр интернет-къэухьым нэхъыбэу къыщагъэсэбэп унэтIыныгъэхэм ящыщщ, — жиIащ абы. — Иджыпсту, ди жагъуэ зэрыхъунщи, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр Iейм куэдыIуэрэ тепсэлъыхь хъуащ. Абы нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ зегъэхъуэжыныр фэ, щIалэгъуалэм, фхузэфIэкIынущ икIи Кавказым теухуауэ цIыхухэм яIэ хъуа Iуэху еплъыкIэ зэдзэкIам зыкъевгъэгъэзэфынущ. Зи гугъу тщIы еджапIэр 2012 гъэм щэкIуэгъуэм и 20-м Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыунэхуащ. Проектым и къызэгъэпэщакIуэхэм я мурад нэхъыщхьэр интернетым жыджэру ис, ди щIыналъэм щыпсэу щIалэгъуалэр социальнэ хъым и интернет-напэкIуэцIхэр тэмэму къагъэсэбэпыфу егъэсэнымрэ цIыхухэр куэдрэ зэрыхьэ блогхэр къызэгъэпэщынымрэщ. А Iуэхум хуегъэджэным и эксперту хахащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и журналист-блогерхэм я япэ еджапIэм и IэщIагъэлI-гъэсакIуэ Гитинов Гамид. Зэхыхьэм къыщыпсэлъахэм социальнэ хъым и ухуэкIэм, иджырей хъыбарегъащIэ «губгъуэр» зэгъэпэщыным, апхуэдэуи цIыхухэм я гупсысэкIэм интернет-напэкIуэцIхэм щагъэзащIэ мыхьэнэм я гугъу ящIащ. Блогерхэм я еджапIэм и 2-нэ дерсыр семинар ухуэкIэм тету екIуэкIащ. Абы и эксперт-гъэсакIуэ нэхъыщхьэщ Гындыгъу Марианнэ. Ар PR-проект куэдым я унафэщIщ, Мэзкуу къалэ дэт бизнес-компаниехэм я блогхэр щылажьэ «губгъуэм» мыхьэнэшхуэ щызиIэ зэпыщIэныгъэхэм хуэлажьэ бзылъхугъэщ. ЕджапIэм къекIуэлIа блогерхэм щепсалъэм, Марианнэ езыр щылэжьа «Ростелеком», «Мегафон», «Связной», «Вымпелком» компаниехэм щызыIэригъэхьа IэзагъхэмкIэ ядэгуэшащ. ЩIалэгъуалэр тепсэлъыхьащ цIэрыIуэ хъуа социальнэ «хъыхэм» ехъулIэныгъэуи щыщIэныгъэуи яIэхэм. Псори гъэщIэгъуэну къызэгъэпэщат икIи дерсыр иуха нэужь, абы щIэсахэм ящыщу зыри зэбгрыкIыжыну епIэщIэкIыртэкъым. Ар и щыхьэтт Къэбэрдей-Балъкъэрыр фIы и лъэныкъуэкIэ дэнэкIи къызэрыпхуэгъэлъэгъуэнумрэ интернет-губгъуэм Iуэхушхуэхэр зэрыщыпхуэгъэзэщIэнумрэ ятеухуа Iуэху еплъыкIэм къекIуэлIахэр зэрителъхьэм. Зэхыхьэм кърикIуам и гугъу щищIым, ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Джаппуев Мусэ жиIащ: — Ди мурадщ блогер ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэм зэпымыууэ щыхагъахъуэ еджапIэ зэтедублэну. Псалъэм папщIэ, зэман гъунэгъум къриубыдэу Iуэхугъуэ зыбжанэ едгъэкIуэкIыну ди гугъэщ. Абыхэм ящыщщ еджапIэм къекIуалIэ блогер ныбжьыщIэхэр ди гъунэгъу республикэхэм я зым зэгъусэу зэрыдгъэкIуэнур. Джаппуевым зэрыжиIамкIэ, иджыпсту ди республикэр интернет-губгъуэм дахэ-дахэу къыщагъэлъагъуэркъым. Блогерхэм я къалэнщ, гужьеигъуэ хамыдзэу, ди щIыналъэм къыщыхъу къэхъукъащIэхэм я пэжыпIэм интернетыр къэзыгъэсэбэпхэр щыгъуазэ хуащIыну. КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ гъащIэм, щэнхабзэм ятеухуауэ фIы и лъэныкъуэкIэ зи гугъу пщIы хъуну Iуэхугъуэхэри куэд мэхъу. Ахэри къэгъэлъэгъуапхъэщ. Блогхэм щызэпсалъэ мэхъу республикэм къыщыхъу къэхъукъащIэхэм лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ къыщеплъхэри. Къумахуэ Аслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26148.txt" }
Зэманым и гъуджэ Урысей щIэныгъэлI-тхыдэдж Гугу Рашадрэ Гиоев Михаилрэ я фэеплъ тхылъ иджыблагъэ дунейм къытехьащ. ЛъэпкъитIым — адыгэхэмрэ осетинхэмрэ — къахэкIа щIалитIым илъэс куэдкIэ зэхуаIа зэныбжьэгъугъэм лъабжьэ хуэхъуащ зэгурыIуэныгъэр, пщIэр, гукъабзагъэр, жэуаплыныгъэр, пэжыгъэр, Iэзагъыр. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м, РСФСР-м щIэныгъэхэмкIэ ЩIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей академием и академик, КъБР-м и саугъэтыр зыхуагъэфэща Гугу Рашад (щыпсэуар 1927 — 2002 гъэхэрщ) илъэс 50-м нэблагъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щылэжьащ икIи зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, зи къару емыблэжу зи IэнатIэм бгъэдэт цIыху нэсым и щапхъэу къыдэлэжьахэм я гум къинащ. Гиоев Михаил (1924 — 2013 гъэхэм) — тхыдэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, дзэ щIэныгъэхэм я академием и академикщ, СОАССР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. Илъэс 30-м щIигъукIэ ар Осетие Ипщэм и къэрал университетым щылэжьащ. Осетием, уеблэмэ, Кавказым зэрыщыту, и тхыдэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Абы и лэжьыгъэ 60-м нэблагъэ Москва, Дон Iус Ростов, Санкт-Петербург, нэгъуэщI къалэхэми къыщыдэкIащ. Зэныбжьэгъугъэ зи яку дэлъ, щIэныгъэм дихьэх щIалитIым я закъуэтэкъым зэрылъытэр, атIэ абыхэм я благъэ-Iыхьлыхэри фIыуэ зэрыцIыхурт. КъБР-м и Парламентым и депутату лэжьа Гугу Рашад и къуэ Владимир и адэр дунейм ехыжа нэужьи, Михаил щIэупщIэу, сыт щыгъуи и Iуэху зытетым щыгъуазэу, уеблэмэ, Осетием хьэщIапIэ яхуэкIуэу щытащ. Шэч хэмылъу, зи гугъу тщIы тхылъым итыр Гиоевым и ныбжьэгъум теухуа гукъэкIыжхэм я закъуэкъым, атIэ осетин щIэныгъэлIым теухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэри, къыщыбгъуэтынущ абы и напэкIуэцIхэм. Тхылъыр къыщыдэкIар Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тедзапIэращ. Ар пщIэншэу хуагуэшынущ Гугу Рашадрэ Гиоев Михаилрэ зыцIыхуу щытахэм, зыIэрызыгъэхьэну гупыж зыщI дэтхэнэми. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26155.txt" }
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тыгъэхэм я дэфтэр Мурадхэр Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, къищынэмыщIауэ ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм (Тыркум, Сирием, Иорданием, США-м, Германием, нэгъуэщIхэми) адыгэ литературэм, лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, спортым зыщегъэужьыным хуэщхьэпэн. Къалэнхэр ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа IэнатIэхэм ехъулIэныгъэшхуэхэр иужьрей илъэсхэм щызыIэрызыгъэхьа цIыху зэчиифIэхэр (е гуп щхьэхуэхэр) гъэлъэпIэн. УнэтIыныгъэхэр ДАХ-м игъэува тыгъэхэр зыхуэфащэхэр къыщыхах унэтIыныгъэхэр: — адыгэ тхыдэр къызыхэщ литературэ тхыгъэ (роман, повесть, рассказ, новеллэ, пьесэ, поэмэ, усэ Iэрамэ); — театрым, кином, телевиденэм щагъэува, щытраха теплъэгъуэхэр; — къэфакIуэ гупхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр; — адыгэхэм ятеухуа тхыдэ, художественнэ къыдэкIыгъуэ зэрыIыгъхэр; — макъамэ, сурэтыщI гъуазджэ IэдакъэщIэкIхэр; — тхыдэ, этнографие, бзэщIэныгъэ къэхутэныгъэхэр; — спортымкIэ ехъулIэныгъэ инхэр. Къызэрыхах мардэхэр Тыгъэ лъапIэ зыхуагъэфащэхэр къыхах лъэпкъ литературэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, спортым зэфIэкIышхуэ къыщызыгъэлъэгъуахэм (дэтхэнэ IэнатIэми щыщу цIыху зырыз). Хэтынухэр ДАХ-м игъэува тыгъэхэр зыхуагъэфэщэнухэр къыхах Адыгэ Хасэм и щIыпIэ къудамэхэм, Кавказ Ищхъэрэм щыIэ творческэ зэгухьэныгъэхэм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм щыIэ хасэхэм къата тхылъхэмкIэ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуауэ щытыпхъэщ адыгэбзэм, лъэпкъ тхыдэм, цIыху зэхэтыкIэ-псэукIэм теухуауэ щэнхабзэ, литературэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр, спорт ехъулIэныгъэшхуэхэр зиIэ цIыху щхьэхуэхэм е гупхэм я зэфIэкIыр. Унафэ къызэращтэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тыгъэхэр зыхуэфащэр ДАХ-м и къэпщытакIуэ гупым къыхех. А гупым хыхьэхэми я зэфIэкI зэпеуэм къыщагъэлъэгъуэну хуитщ, къэпщытакIуэхэм къазэрыхэкIыжымкIэ лъэIу тхылъ нэхъапэкIэ къитамэ. НэхъыфIу къалъытахэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэ лъапIэрэ щIыхь тхылърэ ират, зыкъыщигъэлъэгъуа унэтIыныгъэм ипкъ ит щIыхьыцIэ къыфIащ. Дамыгъэхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ щратыж ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым, Хасащхьэм, Зэхуэсышхуэм я зи чэзу зэхыхьэхэм. ПIалъэхэр Иджырей зэпеуэр 2013 гъэм мазаем щIедзэри, илъэс къакIуэм и гъатхэпэм еух. Тхылъыр къызэрат щIыкIэр Зэпеуэм зи зэфIэкI щызыгъэлъэгъуэнухэм ятеухуа тхылъхэр ДАХ-м и IуэхущIапIэм езыхэм къахь е пощткIэ къыIэрагъэхьэ. Ягъэува пIалъэм (2014 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 31-м) фIэкIауэ къата тхылъхэм зыри хэплъэнукъым. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэр: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ, Налшык къалэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ уэрам, 6-нэ унэ. Пощт индексыр: 360000. Iуэхум нэхъыфIу зыщызыгъэгъуэзэну хуейхэр мыпхуэдэ телефонхэмкIэ фыщIэупщIэ хъунущ: (88662) 47-31-83, 47-22-63, 42-58-34. Электрон пощтым и адресыр: adyghe@mail.ru, къищынэмыщIауэ Iуэхум теухуа хъыбарегъащIэ къыщывгъуэтынущ ДАХ-мрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ я сайтхэм (www. adyghepsale.ru).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26157.txt" }