text
stringlengths
11
353k
meta
dict
Хэт хъуну Бекович-Черкасский Елмырзэ? Нэгъабэ ди газетым тетащ Прагэ щыщ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Чех Сватоплук (1846-1908) и къалэмыпэм къыщIэкIа «Шэрджэс» хъыбарыр. Ар урысыбзэкIэ зэридзэкIри, 1925 гъэм хэIущIыIу ищIауэ щытащ Бекович-Черкасский (Бэчмырзэ) Елмырзэ. Сыт и хъыбар езы Бекович-Черкасскэм? Ар 1899 гъэм Мэздэгу и Iэшэлъашэм — Бэчмырзэхэ я жылэм — къыщалъхуащ, Къэбэрдейми Урысейми щыцIэрыIуэ пщы лъэпкъхэм къахэкIащ. И анэр ХьэтIохъущокъуэхэ япхъущ — ФатIимэтщ. Мэздэгу, Шэткъалэ (Ставрополь), Тэрчкъалэ (Владикавказ) щеджащ, граждан зауэм и зэманым Къэбэрдей шу дивизэм щыщ Къэбэрдей полкым хэтащ, штабс-ротмистр хъуауэ. 1920 гъэм и ужькIэ къэралым икIри, Прагэ щыпсэуащ, абы дэт Урыс университетым щеджащ, 1928 гъэм дунейм ехыжащ. Бекович-Черкасский Елмырзэ публицистикэ тхыгъэ гъэщIэгъуэн зыбжанэ къызэринэкIащ: «О сепаратизме горцев Кавказа», «Полезные растения Кавказа: лесные породы», «Борьба за язык на Северном Кавказе», «Из пражских записок горца», «Открытое письмо Н. А. Бигаеву», нэгъуэщIхэри. Зэгуэр къызэрыдэкI лъандэрэ ахэр традзэжакъым, нобэрей щIэблэр щыгъуазэ щIын хуейуэ яхуэфащэми. КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26159.txt" }
Сирием къикIыжахэм я унэцIэхэр «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм я лъэIукIэ тыдодзэ Сирие Хьэрып Республикэм къикIыжауэ Налшык санаторэхэм, унэ щхьэхуэхэм, КъБКъУ-м и общежитхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я унагъуэцIэхэр: 1. Абазэ 2. Абыдэ 3. Апыщ 4. Аулъэ 5. Абей 6. Ацумыжь 7. Бэлагъы 8. Бахъуэ 9. Багъ 10. Бекъщокъуэ 11. Батырдэгу 12. Бекъул 13. Бэджмыкъуэ 14. Быж 15. БэшкIур 16. Бидэнокъуэ 17. Вындыжь 18. Гъыш 19. ГъукIэлI 20. Дыгъужь 21. Дэпчэн 22. Джырэндокъуэ 23. ДыщэкI 24. Джэху 25. Дэдэхъу 26. Джэтауэ 27. Джэрыкъуэ 28. Джэмокъуэ 29. Емуз 30. Ездэч 31. Елджэрокъуэ 32. Емызэкъуэ 33. Жылэхьэж 34. Къардэн 35. Къамбий 36. Къанщауэ 37. Къат 38. Къуэщ 39. Къарэ 40. КIэрэф 41. Кхъуэныхь 42. КIэдыкIуей 43. Къаздэхъу 44. Къумыкъу 45. Къэбардэ 46. Къущхьэ 47. КIэрмыт 48. КIуащ 49. ЛIэужь 50. ЛIымахуэ 51. ЛIыгуащэ 52. Лъапсэрыкъуэ 53. ЛIыбзу 54. ЛIыIэщын 55. ЛIыщIэ 56. ЛъэнкIэпIашэ 57. МахуэлI 58. Мэхъуэш 59. Молей 60. Мэшфыжь 61. Мэт 62. Нэхей 63. Нэпсыгъуэ 64. ПащIэ 65. Понэж 66. Санэ 67. Сапсын 68. Сихъу 69. Сосмакъ 70. СтIащ 71. Сыжажэ 72. Сысэ 73. Тау 74. Тэгъулан 75. Теувэж 76. Тэмыкъу 77. Толбий 78. Тыкъуэ 79. ТIыхъужь 80. Тхьэкъуахъуэ 81. ТIам 82. ТекIуий 83. Уэтей 84. Уджыхъу 85. ХьэпащIэ 86. Хьэмжу 87. Хьэжнэгъуей 88. Хутэ 89. Хьэткъуэ 90. Хьэгъундокъуэ 91. Хъуадэ 92. Хъыжьрокъуэ 93. Хьэлауэ 94. Хьэпэ 95. Хъут 96. ХъутIэжь 97. Чым 98. Шэрджэс 99. Щхьэлахъуэ 100. Щауэ 101. Щауэжь 102. Щагудж
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26161.txt" }
Гулъытэ хуэныкъуэхэр Сирие Хьэрып Республикэм къикIауэ КъБКъУ-м къыщIэтIысхьэ ныбжьыщIэхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ. Илъэсым нэблагъэкIэ зыщIэс, урысыбзэр щадж къудамэр къаухмэ, ахэр щIэтIысхьэнущ езыхэм къыхаха IэщIагъэм щыхуагъэсэну факультетхэм. ЕгъэджакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, абыхэм щIэгъэхуэбжьауэ урысыбзэр ядж, зэман кIэщIкIэ зрагъэщIар мащIэми куэдми, университет кIуэцIым, къалэм дэнэ IуэхущIапIэ кIуэми гугъуехьыншэу зыхуейр я псэлъэгъухэм къыгурагъэIуэф. Абыхэм яхэтщ хьэрыпи, балъкъэри, осетини, дагъыстэни, ауэ нэхъыбэр адыгэщ. Уи адэ-анэр, къыбдалъхуахэр, укъыщыхъуа щIыпIэр къызэбнэкIыу нэгъуэщI къэрал ущыкIуэкIэ, а Iуэхугъуэм Iэнкун уещI, а уздэкIуар уи лъэпкъэгъухэм я дежу щытми. Нэхъ тегушхуэгъуафIэу, я гур зэIухауэ щIыпIэщIэм есэн папщIэ, ахэр зэхэщIыкI, псалъэ дахэ зэрыхуэныкъуэм шэч хэлъкъым. Ди деж ахэр гулъытэншэ зэрыщымыхъунум и щыхьэту, КъБКъУ-м ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэкIэ щыIэ щэнгъасэ центрым и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщри, иджыблагъэ щIалэгъуалэ пшыхь щекIуэкIащ студентхэм я шхапIэм. Филологие институтым и адыгэ къудамэм и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ ягъэхьэзыру къахьа адыгэ шхыныгъуэхэмкIэ узэда Iэнэхэм щызэрыцIыхуахэщ ди лъэпкъэгъухэмрэ адыгэбзэ къудамэм щеджэ студентхэмрэ. Адыгэбзэ ныкъуэрэ IэпэтэрмэшкIэ зэпсалъэ ныбжьыщIэхэм я нэгум щыплъагъурт гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ. Щэнгъасэ центрым и унафэщI Езауэ Мадинэ зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ пшыхьхэр сэбэп хъунущ студентхэм я зэныбжьэгъуныгъэр гъэбыдэнымкIэ, икIи я гугъэщ а зэхуэсхэр хабзэ хъууэ, студент нэхъыбэ а Iуэхугъуэм ирашэлIэну. ЩОДЖЭН Iэминат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26164.txt" }
ЩIыIэри, ятIэри, хьэрхуэрэгъури къапэщIэтами… «Спартак-Налшык» (Налшык) — «СКА-Энергия» (Хабаровск) — 1:0 (0:0). Налшык. «Спартак» стадион. Гъатхэпэм и 18-м. ЦIыху 1700-рэ еплъащ. Судьяхэр: Костевич (Курск), Воронцов, Глот (тIури Ярославль щыщщ). «Спартак-Налшык»: Коченков, Засеев, Овсиенкэ, Тимошин, Багаев, Буйтрагэ (Коронов, 84), Чеботару, Концедалов, Руа Карлос (Сирадзе, 76), Аверьянов, Медведев (Болэ, 90). «СКА-Энергия»: Солосин, Салуквадзе, Наваловский, Голяткин, Соловей, Кренделев (Радченкэ, 69), Григалашвили (Трусевич, 72), Ерохин, Мурнин (Ходжавэ, 60), Марцваладзе (Никифоров, 81), Луценкэ. Топыр дигъэкIащ Медведевым, 52 (1:0). Дагъуэ хуащIащ Голяткиным, Ерохиным, Чеботару, Болэм. «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ Буйтрагэ йобгъэрыкIуэ. Премьер-лигэм зыгъэзэжыну пасэу зыгъэIуа «Спартак-Налшыкым» ар уи фIэщ зыщI зы лъэбакъуи иджыри къэс ичатэкъым. Ди гупыр зыгъэлъэщыну щIымахуэм кърагъэблэгъахэри зыми ямыцIыху икIи мыпсыхьа хамэ щIалэщIэхэрщ (Тимошин, Галин, Зинович…) е зи къару илъыгъуэр икIахэрщ (Медведев, Аверьянов). Абы щыгъуэми ди щIыпIэм къыщалъхуахэр нэхъ мащIэжрэщ утыку къызэрырагъэхьэр. А псоми Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэр егъэпIейтей. Апхуэдэу щыт пэтми, ди республикэм и щIыхьыр къэралпсо утыку щызыхъумэ гупым я къару къызэрихькIэ, ахэр дощI икIи ехъулIэныгъэ инхэр яIэну щIохъуэпс. АбыкIэ щапхъэщ вэсэпшыхь Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIа зэIущIэр. Мы гъэм гъатхэр пасэу къызэрыкIуам хущIегъуэжа хуэдэ, дунейм и щытыкIэм зэуэзэпсу зихъуэжащ икIи иужьрей махуэхэм щIыIэм зыкъызэкъуихащ. Ди щIалэхэр япэ дивизионым щыпашэхэм ящыщ зы «СКА-Энергия»-р къыщригъэблэгъэнум ирихьэлIэу Налшык уэсым щIигъэнат. Абы къыхэкIыу «Спартак» стадионым и лэжьакIуэхэм къару куэд трагъэкIуэдэн хуей хъуащ джэгупIэ губгъуэр зэIущIэм хуэфэщэну хуагъэхьэзырын папщIэ. Гуапэщ абыхэм ар къазэрехъулIар, ауэ зэман кIыхькIэ уэшхрэ уэсрэ зытеса щIыпIэр, дауи, фIы дыдэу пхужыIэнутэкъым. Арати, премьер-лигэм зыгъэзэжыну хущIэкъу «Спартак-Налшыкымрэ» абы хуэпабгъэ «СКА-Энергия»-мрэ я футболистхэр джэгупIэ губгъуэм къихьащ, щIыIэри, ятIэри, хьэрхуэрэгъури ирагъэкIуэту текIуэныгъэр зыIэрагъэхьэну щIэхъуэпсу. Ещанэ увыпIэм зыщызыгъэбыда хабаровскдэсхэр иджыри мащIэу къикIуэт хъунуми, ди щIалэхэм апхуэдэ Iэмал яIэтэкъым — абыхэм мы зэIущIэм очкоищыр щызыIэщIагъэкIыныр зыкIи къемызэгът. Ар быдэу пхыкIауэ «Спартак-Налшыкыр» къихьащ. Япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ налшыкдэсхэр къару лъэщкIэ ебгъэрыкIуащ. Джэгум щIадза къудейуэ арат абыхэм я хьэрхуэрэгъур хуабжьу щагъэпIейтеям — ди щIалэхэм ящыщ зыр зэуа топыр хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым ерагъыу угловойм игъэкIуащ. АдэкIи «Спартак-Налшыкым» и тепщэныгъэр инт. Абы и ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зым ехъулIэныгъэр къахуихьыным зымащIэ дыдэщ иIэжар. АрщхьэкIэ топыр «СКА-Энергия»-м и гъуэм и штангэм техуащ. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ налшыкдэсхэр нэхъ гуащIэж хъуащ. Абыхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэр хьэщIэхэм яхузэтеIыгъэжыххэтэкъым икIи 52-нэ дакъикъэм Буйтрагэ Iэзэу кърита топыр Медведевым хабаровскдэсхэм яхудигъэкIащ. Япэ зэрищам «Спартак-Налшыкыр» игъэбэлэрыгъакъым. Ар адэкIи ебгъэрыкIуэрт. Ауэ иджы хьэщIэхэми ар я къалэнт. Абы джэгур нэхъ удэзыхьэхыж ищIащ. Хьэлэмэтращи, «СКА-Энергия»-м и футболистхэр апхуэдизу Iэзэти, зэуа топхэр псори ди гъуэм хуэзэт. Ар узыгъэпIейтейт икIи зэIущIэм и иужь дыдэ дакъикъэм текIуэныгъэр абы тIэщIигъэкI пэтащ. Ди насыпти, топыр Коченковыр зыдэт гъуэм и штангэм техуащ. СыхьэтитIым нэблагъэкIэ щIыIэм зэригъэундэрэщ- хъуар ящыгъупщэжауэ стадионым къекIуэлIахэр мы гъэм япэу «Спартак-Налшыкым» къахуихьа текIуэныгъэм щыгуфIыкIырт. КъагурыIуэрт абы бэнэныгъэм адэкIи пащэну ди щIалэхэм Iэмал хъарзынэ къазэрыритыр. Абы щыгъуэми куэд дыдэ щызэхэкIынущ зэкIэлъхьэужьу Шыпш Тимур и гъэсэнхэм Санкт-Петербургрэ Мэзкуурэ иджы щрагъэкIуэкIыну зэIущIэхэм. Я очко бжыгъэм хагъэхъуауэ къагъэзэжмэ, бэкIэ уащыгугъ хъунущ. Армырамэ… Япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и тепщэныгъэр щигъэбыдащ Томск и «Томь»-м. Вэсэпшыхь абы и стадионым 4:3-уэ щыхигъэщIащ Нижнекамск и «Нефтехимик»-р. МащIэу зыкъытщIигъэкъуащ Ярославль и «Шинник»-м. Волгоград щыIэу ди хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэм ящыщ зы «Ротор»-м абы очкоитI фIигъэкIуэдащ икIи дылъэщIигъэхьэжащ. ЗэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ, 0:0-у, иухащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, «Балтика»-м 2:0-у Калининград щыхигъэщIащ Санкт-Петербург и «Петротрест»-р икIи зэкIэ ди япэ къинащ. «Торпедо» — «Металлург-Кузбасс», «Волгарь» — «Енисей», «Салют» — «Урал», «Химки» — «Уфа» адрей зэIущIэхэр щекIуэкIар дыгъуэпшыхьщ. Аращи, къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр ди щIалэхэм Санкт-Петербург гъатхэпэм и 25-м «Петротрест»-м щыдрагъэкIуэкIынущ. Зыщыщ къэралхэм я командэ къыхэхам я зэIущIэхэм ирагъэблэгъа Джудович Миодраг (Черногорие), Чеботару Евгений (Молдовэ), Болэ Руслан (Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ гуп) сымэ абы зэрыхэмытынум «Спартак-Налшыкым» и къарур нэхъ мащIэ зэрищIынум шэч хэлъкъым, ауэ адрей къэнахэри текIуэныгъэм ерыщу щIэбэныфыну дыщыгугъынщ. Жыласэ Заурбэч. ЗэIущIэ нэужьым Дараселия Георгий, «СКА-Энергия»-м и тренер нэхъыщхьэ: Дызэрыджэгуар ягу ирихьын хуейщ Дараселия Георгий — Дунейм и щытыкIэм емылъытауэ, нобэ дыкъызэрыхьа губгъуэр хъарзынэт. Дызэрыджэгуа щIыкIэри топджэгум дихьэххэм ягу ирихьын хуейщ — лъэныкъуитIми я къару псори абы халъхьащ. Япэу топ дэзыгъэкIыр зэрытекIуэнур гурыIуэгъуэт. Ар хэгъэрейхэм къайхъулIащ. Топыр къытхудэзыгъэкIа Медведевыр зэрылъэрызе-хьэм дыщыгъуазэт, ауэ ар ихъумэну дэ зыми щхьэхуэу пщэрылъ щытщIакъым — иджы апхуэдэу зыри джэгужыр-къым. Дэ жыжьэу дыщыту нэхъыбэрэ гъуэм деуэм нэхъ къэтщтащ икIи абы ехъулIэныгъэ къытхуихьыным зымащIэщ иIэжар. Шыпш Тимур, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ: ФIыщIэ яхузощI Шыпш Тимур — Джэгур хуабжьу хьэлъащ. Дунейм и щытыкIэм къищынэмыщIауэ, дэ дыпэщIэтын хуей хъуащ япэ дивизионым щынэхъ лъэщ командэхэм ящыщ зым. СрогуфIэ ар хъарзынэу къызэрыдэхъулIам. Дэ къытхукъуэкIа Iэмалыр къэдгъэсэбэпащ, хьэрхуэрэгъум ар хузэфIэкIакъым. Пэжщ, ди джэгукIэр адэкIи едгъэфIэкIуэн хуейщ икIи абы и лъэныкъуэкIэ долажьэ. Нобэрей зэIущIэм къигъэлъэгъуащ дэ гуп хъарзынэ къызэрызэдгъэпэщар икIи абы куэдкIэ ущыгугъ зэрыхъунур. Щхьэхуэу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт стадионым и лэжьакIуэхэм. Зэман кIэщIым къриубыдэу абыхэм джэгупIэ губ- гъуэр хъарзынэу тхуагъэхьэзыращ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26166.txt" }
Сабиигъуэм и лъахэ Налшык къалэ дэт курыт школ №17-м «Сабиигъуэм и лъахэм» ухэзышэ зэIущIэ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэIущIат усакIуэ Хьэту Петррэ еджакIуэ нэхъыщIэхэмрэ. Мы школым и гъэсэнхэм нэмыщI, пшыхьым я гуапэу зыкърагъэхьэлIат «ЕхъулIэныгъэ» еджапIэмрэ НШДС №18-мрэ екIуалIэ цIыкIухэмрэ. Я анэдэлъхубзэр нэхъ куууэ ящIэу, лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ, ди тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм щыгъуазэу ныбжьыщIэхэр къэгъэхъуным хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI мы школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Тхьэщыгъуей Аринэ. ЦIыкIухэмрэ Хьэту Петррэ нэхъ гъунэгъуу зэригъэцIыхуну мурад щищIым, абы Iуэхур къыдиIыгъащ Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь центрым и лэжьакIуэ, «Шэху уэздыгъэ» литературэ студием и унафэщI Таз ФатIимэ. Япэу утыкур хуит зыхуащIа, еджапIэм и гъэсэн Нартыжь Темболэт зэIущIэр къызэIуихащ Хьэту Петр и «Пщэдджыжь сэлам» усэмкIэ. — Мыпхуэдэ зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ ди бзэр тхъумэжынымкIэ, абы и мыхьэнэр нэхъ куууэ зыхэтщIэнымкIэ, — жиIащ Тхьэщыгъуей Аринэ. — АтIэ бзэм и къулеягъэр, абы и дахагъэр, и шэрыуагъэр нэсу зыхозыгъащIэр сыт жыпIэмэ — ар усэхэрщ. АбыхэмкIэ екIуу къэIуэта мэхъу гурыщIэхэр, дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэр. Мы пшыхьым зи усэхэр щыIуну Хьэту Петр и IэдакъэщIэкIхэр нэхъыбэу зытеухуар лъагъуныгъэрщ, гуапагъэрщ, дахагъэрщ, цIыхугъэрщ. Ахэр щытопщэ Сабиигъуэм и лъахэми, нобэ усыгъэм и лъагъуэхэм, цIыкIухэ, фи щIыналъэм дыкърашэлIащ. АдэкIэ усакIуэм и гъащIэ гъуэгуанэм нэхъ гъунэгъуу сабийхэр щыгъуазэ хуащIащ «1 КъБР» телеканалым и лэжьакIуэ Мыз Залинэ игъэхьэзыра «Псэгъэкъабзэ» нэтынымкIэ. ИужькIэ «Шэху уэздыгъэ» литературэ студием и гъэсэнхэр утыкум къихьащ. — Усэ фIыуэ зымылъагъу щыIэу къыщIэкIынкъым, — жиIащ студием и унафэщI Таз ФатIимэ. — Си гугъэщ цIыхур зэрыхуэ щытыкIэм, иIэ гукъыдэжым елъытауэ усыгъэм куэдрэ зыхуигъазэу. Дэтхэнэми иIэщ усыгъэр зригъэпщэн гуэр, нэхъыщхьэращи, усэр цIыхухэм зэрахуэупсэр нэхугъэщ. «Шэху уэздыгъэм» и гъэсэнхэр Хьэту Петр и усэхэм къеджащ, иужькIэ усакIуэм упщIэ зыбжанэкIэ зыхуагъэзащ. Сабийхэм яфIэгъэщIэгъуэнт усакIуэр и сабиигъуэм дэзыхьэхыу щытахэр, абы урысыцIэ къыщIыфIащар, япэу итха усэр зыхуэдэр, тхэным гупыж зэрыхуищIар, нэгъуэщIхэри. А махуэм зэIущIэм къахуеблэгъат илъэс зыбжанэ и пэкIэ Хьэту Петр и усэхэм ятеухуауэ диплом лэжьыгъэ зытха Къуэдзокъуэ Залинэ тепсэлъыхьащ ар къыщIыхихам, ар къызэрехъулIам. — Диплом лэжьыгъэм зес-пщыта иужьщ Хьэту Петр и творчествэм нэхъ куууэ щыгъуазэ сыщыхуэхъуар, — жиIащ Залинэ. — Петр и усэхэр бзэ тыншкIэ, дахэкIэ тхащ, нэхугъэ гуэрым ухуашэу, фIым ухуагъаплъэу апхуэдэщ абыхэм ящIэлъ гупсысэкIэ. Сабийхэм уахуэтхэныр гугъущ — уи IэдакъэщIэкIхэр я гум дыхьэу, ар зрагъэщIэну тегушхуэн папщIэ, абыхэм я псэм узэрыдыхьэн псалъэ хэщыпыхьахэр къэбгъуэтын хуейщ. Хьэтум и усэхэр псэм дыхьэу зэрыщытыр нобэ цIыкIухэм наIуэ къащIауэ къысщохъу. Бысымхэм псалъэр къащылъысыжым, утыкум къихьащ еджапIэм и класс нэхъыщIэхэм щIэсхэр. Ахэр гъэхуауэ, удахьэхыу Хьэту Петр и усэхэм къеджащ. Сабийхэм я утыку итыкIэмкIэ къыпщагъэхъуфырт къызэджэ усэм зи гугъу щащIа Iуэхугъуэр зэрызыхащIэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, яхузэфIэкIащ Сабиигъуэм и лъахэм «дыкъыщагъэхутэн». — Си гуапэ хъуащ мыпхуэдэ зэхыхьэ дахэ гукъэкI фщIыуэ зэрызэхэфшар, — жиIащ Хьэту Петр. — Уи усэхэм гъэхуауэ, яфIэфIу сабийхэр къызэреджэр плъагъуныр сыт и уасэ?! Абы си гур хигъэхъуащ. Ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм я IэдакъэщIэкI нэхъыбэ фыкъызэреджэным фыхущIэкъу, абы фи бзэр нэхъ къулей, шэрыуэ ищIынущ, фи къэухьым хигъэхъуэнущ. Усыгъэм псэр нэхъ къабзэ ещI, абы гур дахагъэм къыхуегъэуш. Хабзэрэ нэмысрэ зыхэлъ, зи тхыдэмрэ зи щэнхабзэмрэ зыщIэж щIэблэ узыншэу фыкъэхъуну си гуапэщ. Хьэту Петр сабийхэм яхуэупсащ «Нур» журналым и къыдэкIыгъуэщIэмкIэ, еджапIэм и библиотекэм тыгъэ хуищIащ дунейм къытехьа и тхылъыщIэр. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26173.txt" }
«Гугъэ» зэпеуэр «Жан» республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм иджы етIуанэу ирегъэкIуэкI тхакIуэ ныбжьыщIэхэр зыхэт «Гугъэ» зэпеуэр. 1. ЗЭПЕУЭМ И МУРАДЫР творческэ щIалэгъуалэм ящыщу зэфIэкI зыбгъэдэлъхэр къэгъэнэIуэныр, абыхэм защIэгъэкъуэныр. 2. КЪАЛЭНХЭР зэфIэкI зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэм я Iэзагъэм щыхагъэхъуэн, щрагъэфIэкIуэн щытыкIэхэр къахузэгъэпэщын; творческэ, IэщIагъэм епха зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэн; адыгэ щэнхабзэмрэ литературэмрэ хэIущIыIу щIыным хуэлэжьэн. 3. КЪЫЗЭГЪЭПЭЩАКIУЭР «Жан» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэр. Зэпеуэр зэрекIуэкIым теухуа хъыбархэр цIыхухэм егъэщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъунущ «Адыгэ псалъэ», «Советская молодежь», «Горянка» газетхэр. 4. ЗЭПЕУЭР ЩРАГЪЭКIУЭКIЫНУ ЗЭМАНЫМРЭ ЩIЫПIЭМРЭ Зэпеуэр къыхалъхьэ Адыгэ тхыбзэм и махуэм — гъатхэпэм и 14-м. Ар Iыхьищу зэпыудауэ екIуэкIынущ: I Iыхьэ — 2013 гъэм гъатхэпэм и 15-м щыщIэдзауэ фокIадэм и 15 пщIондэ тхыгъэхэр къыIахынущ. II Iыхьэ — 2013 гъэм фокIадэм и 15-м щегъэжьауэ жэпуэгъуэм и 15 пщIондэ къэпщытакIуэ гупыр тхыгъэхэм хэплъэнущ. III Iыхьэ — 2013 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм наIуэ къащIынущ текIуахэр икIи ахэр ягъэлъэпIэнущ. ТекIуахэр щагъэлъэпIэну пшыхьыр щекIуэкIыну махуэмрэ щIыпIэмрэ зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм яубзыхунущ, цIыхубэм абы теухуа хъыбар ирагъэщIэнущ республикэ газетхэм, телевиденэмрэ радиомрэ. 5. ЗЭПЕУЭР ЗЭРЕКIУЭКIЫНУР Зэпеуэм хэтынухэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и тхакIуэ ныбжьыщIэхэрщ (зэпеуэм адрей хэгъуэгухэм я творческэ щIалэгъуалэр къыхашэну я мурадщ). Зэпеуэм хэтынухэм я ныбжьыр илъэс 15-м щегъэжьауэ 25-м нэс къриубыдэу щытын хуейщ. Конкурсым ягъэхьын хуейр адыгэбзэкIэ тха тхыгъэхэрщ, ахэр компьютеркIэ тедзауэ, электроннэ жыпхъэм иту щытыпхъэщ. А тхыгъэхэр нэхъапэкIэ зыщIыпIи къыщытрамыдзауэ икIи нэгъуэщI зэхьэзэхуэхэм хэмытауэ щытмэ нэхъыфIщ. Зэпеуэр зэщхьэщыхауэ щытынущ мыпхуэдэ унэтIыныгъэхэмкIэ: 1. Усыгъэ. 2. Прозэ. 3. Драматургие. Тхыгъэ нэхъ цIыкIухэр (усэхэр, рассказ кIэщIхэр, тау- рыхъхэр, нэгъуэщIхэр), псалъэм папщIэ, прозэр напэкIуэцIищ, усэхэр напэкIуэцIитху нэхърэ мынэхъ мащIэу щытын хуейщ. Зэпеуэм хэтынум и тхыгъэм и гъусэу къигъэхьын хуейщ езым теухуа хъыбар кIэщI, апхуэдэу къигъэлъэгъуапхъэщ и хэщIапIэр, и телефоныр. 6. ЗЭПЕУЭМ КЪРИКIУАХЭР КЪЫЗЭРАПЩЫТЭЖЫНУМРЭ ТЕКIУАХЭР ЗЭРАГЪЭЛЪЭПIЭНУМРЭ Зэпеуэм къагъэхьа тхыгъэхэм хэплъэнущ усакIуэ, тхакIуэ, литературэдж цIэрыIуэхэр, гъуазджэм и лэжьакIуэхэр зыхэт къэпщытакIуэ гупыр. Дэтхэнэ унэтIыныгъэми япэ, етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр щагуэшынущ. ТекIуахэм иратынущ щIыхь тхылъхэр, саугъэтхэр. Хуэфащэу къамылъытэмэ, къэпщытакIуэ гупым увыпIэ щхьэхуэхэр ямыгъэувыну хуитщ. Зэпеуэм щытекIуахэм я тхыгъэхэр республикэ газетхэм къытрадзэнущ. 7. КЪЭПЩЫТАКIУЭ ГУПЫР Зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэ комитетым къыхихынущ къэпщытакIуэ гупым хэтынухэмрэ абы и тхьэмадэмрэ. Абы хэтынухэр илъэс къэс яхъуэжынкIи хъунущ. 8. КЪЫЗЭГЪЭПЭЩАКIУЭ КОМИТЕТЫР Зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщIщ усакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, «Жан» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Заринэ. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр: Ширдий Маринэ — «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Ныбэжь Таисэ — Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым Адыгэбзэр хъумэнымрэ зыуэ щыт адыгэ алыфбей зэхэгъэувэнымкIэ и комитетым хэт Щомахуэ Залинэ — «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент КIуж Иннэ — КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и пресс-секретарь ЩхьэщэмыщI Изэ — «Адыгэ псалъэ», «Советская молодежь» газетхэм я корреспондент Гумэ Маринэ — Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм и режиссер нэхъыщхьэ Хъуэжэ Жаннэ — «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м и адыгэбзэ нэтынхэр езыгъэкIуэкI Битокъу Маринэ — «Горянка» газетым и корреспондент ХэщIапIэр: Налшык къ., Лениным и цIэр зезыхьэ уэрам, 5. «Горянка» газетым и редакцэ. Телефон: 42-21-25 E-mail: zchun@list.ru
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26178.txt" }
Уи лъэпкъэгъу удэмыIэпыкъужыфыныр къезэгъыркъым Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэм щекIуэкIащ хамэ къэрал къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъунымкIэ комитетым и зэхыхьэ. Ар къыщызэIуихым, зи гугъу тщIы гупым и тхьэмадэ ГуэбэщIыкI Владимир жиIащ: — Хамэ къэрал къикIыжхэм ядэIэпыкъуныр ди къалэн нэхъыщхьэ пэтми, абы теухуауэ иджыри къыздэсым гугъу зедгъэхьыщауэ пхужыIэнукъым. А IуэхумкIэ республикэм и унафэщIхэм тщхьэщахар мащIэкъым. Иджы адэкIэ дэ къыдбгъэдэкIыу къэкIуэжхэм нэсу защIэдмыгъэкъуэфмэ, емыкIу къытлъос. Езыхэм я Iуэху зыIутри кIуэ пэтми нэхъ гугъу мэхъу. Абыхэм зыкъаIэту Сирием щамыгъэзэжыфынукIэ, къыздэкIуэжам яхуэтщI гулъытэм хэдмыгъахъуэу хъунукъым. ГъэщIэгъуэнракъэ, Сирием гузэвэгъуэ къыщылъэIэсым, адыгэхэм ящыщу нэгъуэщI къэрал кIуахэр нэхъыбэщ иджыри къыздэсым дэ къытхыхьэжахэм нэхърэ. Псалъэм папщIэ, ди лъэпкъэгъухэм ящыщу Тыркум цIыху минитI, Израилым миным нэблагъэ къыщыувыIамэ, адыгэхэм я хэкужьу щыт ди къэралым къэIэпхъуэжар (Адыгейри, Къэрэшей-Шэрджэсри, Къэбэрдей-Балъкъэрри зэхэту) зэрыхъур цIыху мин иримыкъущ. Ари ди хуэмыхуагъэм, лъэпкъым и щхьэемыгугъыныгъэм и нэщэнэу щымыту пIэрэ? Налшык и Долинск щIыпIэм щыIэ «Джайлык» хьэщIэщым мы зэманым щIэсщ Сирием къиIэпхъукIыжахэм ящыщу цIыху 50-м нэблагъэ. Абыхэм я Iуэху зыIутыр зэрыхэплъэгъуэм теухуауэ Мэлбахъуэ Зинаидэ «Кабардино-Балкарская правда» газетым къытридзащ. Абы къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм щыхэплъащ мы зэIущIэм. Тхыгъэм Сирием къикIыжахэм ящыщ зым щыжеIэ: «Сыт дыкъыщIраджэжар, афIэкIа къыддэмыIэпыкъунумэ? Дэнэ щыIэ дыкъызэрагъэгугъа унэхэри, къытхуагуэшыну жыхуаIа щIы кIапэхэри, дызыхэзэгъэн, дигу ири-хьын лэжьапIэ IэнатIэхэри?». А упщIэхэм я жэуап къэкIуэжахэм къахуэдгъуэтыфыну пIэрэ? КъищынэмыщIауэ, Хэкум къихьэжахэм ягу къоуэ къызыхэтIысхьэжхэм тыншу зэрахэмызагъэр. «Ди зэхуаку блын гуэр дагъэувам хуэдэщ», — жаIэ абыхэм. Абы и щхьэусыгъуэу къалъытэри къыздекIуэлIэжахэр къахуэмеищэ хуэдэу къазэрыфIэщIырщ. — Илъэс блэкIам и щэкIуэгъуэ мазэм Сирием къикIыжахэр пщIэншэу ягъэшхэн щагъэтащ, — къыпещэ и псалъэм ГуэбэщIыкI Владимир. — Абы къэIэпхъуэжахэм ягъэв гугъуехьыр нэхъыбэж ищIащ. АдэкIэ щыIэ Iэмалхэм лъыхъуэн хуейщ. Зы лъэныкъуэкIэ, «къезыджэжахэм», абы республикэм и унафэщIхэри, ДАХ-м къулыкъу щызезыхьэхэри, цIыху къызэрыгуэкIхэри яхэту, хуамыщIэфынумкIэ къагъэгугъэ хъунукъым. Мыдрейуэ, къэIэпхъуэжхэми къагурыгъэIуапхъэщ, я щхьэ зыхуей зэрыхуагъэзэнум езыхэри елIэлIэн зэрыхуейр. КъищынэмыщIауэ, къуажэхэм къыщыхуагъуэт псэупIэ унэхэм езы къэкIуэжхэри Iэпхъуэным тегъэгушхуапхъэщ. ЗэIущIэм щIэсахэм жаIэрт зэщIыгъуу къэкIуэжхэр зэрызэхагъэIэпхъукIым зэрытегузэвыхьыр, абы зэпэIэщIэ ищIынкIэ зэрышынэр. Сирием къикIыжахэм я нэхъыбэм IэщIагъи, щIэныгъи ябгъэдэлъщ. Абы къыхэкIкIэ тыншкъым япэу къыпхуагъэлъагъуэ лэжьыгъэм уеувэлIэну. АтIэ нэгъуэщI хэкIыпIэу сыт щыIэр? Ари гурыIуэгъуэ дыдэкъым. — Мыпхуэдэ Iуэхум и дежщ щызэхэкIыр адыгэм ди цIэм пщIэ хуэтщIыжу дыкъызэтенарэ дызэрышхэнрэ дызыхэпсэукIынрэ фIэкIа къытфIэмыIуэхужу дунейм дытетрэ, -жиIащ «Хэку» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ НэкIацэ Владимир. — Уи лъэпкъэгъу удэмыIэпыкъужыфыныр къезэгъыркъым. — Сыт атIэ мы Iуэхум зыщIимыужьыр? Къэрал, республикэ унафэщIхэм ди лъэIу ялъэдмыгъэIэсыфу ара? КъэкIуэжхэм я Iуэхум езы лъэпкъым унафэ трищIыхьыж щхьэ мыхъурэ, къэралым щымыгугъыу! — адэкIэ къыпищащ псалъэмакъым Къэбэрдей жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым хэт Джэрыджэ Хьэсэн. ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, Сирием къиIэпхъу-кIыжхэм ядэлажьэ Бырсекъуэ Орфан мэгузавэ: — Ар, дауи, пэжщ, — жеIэ абы. — Ауэ къэралми зыхуэгъэзэныр зэпыбгъэу хъунукъым. Иджыри къыздэсым властым къытхуищIари зыщыгъэгъупщэн хуейкъым. ДэнэкIэ къыщыкъуэкI дэIэпыкъуныгъэми дыхуэныкъуэщ. ЗэIущIэм хэтахэм къалъытащ Сирием къиIэпхъукIыжахэм ядэIэпыкъуным хуэгъэза Iуэхугъуэ зыбжанэ икIэщIы-пIэкIэ егъэкIуэкIыпхъэу. Ар, псом япэрауэ, псапащIэ фонд къызэIухынымрэ телевизор- еплъхэр къэкIуэжахэм зы- къыщIагъэкъуэну къыщыхураджэ телемарафон къызэгъэпэщын зэрыхуеймрэ теухуащ. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26180.txt" }
ЩIыуэпсым и макъ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26182.txt" }
Нобэ ЩIым и дунейпсо махуэщ. ООН-м и нэIэм щIэту 1971 гъэ лъандэрэ ирагъэкIуэкI. Насыпым и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2012 гъэм бадзэуэгъуэм и 12-м къидигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ ягъэлъапIэ. Франджыбзэм и дунейпсо махуэщ. Франджыбзэм ирипсалъэхэр щыпсэу хэкухэм я зэгухьэныгъэм къэрал 56-рэ хохьэ. Мы махуэр 1970 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. 1944 гъэм Дохъущыкъуей спирт заводым, зэрагъэпэщыжа нэужь, лажьэу щIидзэжащ. «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зыхуагъэфэща Мусэ Менлы къызэралъхурэ илъэси 103-рэ рокъу. Композитор, КъШР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Абдокъуэ Юрэ 1967 гъэм къалъхуащ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 — 13, жэщым градуси 5 — 7 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26186.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Домбейм къылъос Къэрэшей-Шэрджэс. Гъатхэпэм и 31-м щыщIэдзауэ мэлыжьыхьым и 8 пщIондэ республикэм и Домбей курорт жылагъуэм щекIуэкIынущ фристайлымкIэ зэхьэзэхуэхэр. Сочэ зыхуеину уэсым хуэдиз зэрыщытемылъым къыхэкIыу, Домбей апхуэдэ Iэмалыр къылъысащ. КъШР-м Физкультурэмрэ спортымкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, Урысейм и кубокыр къэхьынымкIэ кIэух зэхьэзэхуэм кърихьэлIэнущ къэралым и спортсмени 150-м щIигъу. Апхуэдэуи екIуэкIынущ слоуп–стайл дисциплинэмкIэ къэралым пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ зэпеуэрэ чемпионатрэ. ЗэпыщIэныгъэм зрагъэубгъу Адыгей. Республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Петров Юрийрэ Краснодар крайм и губернаторым и къуэдзэ Кутыгин Эдуардрэ Iэ традзащ лъэныкъуитIыр мэкъумэш хозяйствэ, ерыскъыпхъэ промышленность IэнатIэхэм щызэдэлэжьэным нэхъри зегъэужьыным теухуа зэгурыIуэныгъэм. ЩIыналъэхэм я ведомствэхэр унэтIыныгъэ зыбжанэм щызэдэлэжьэнущ, агропромышленнэ комплексым и лэжьакIуэхэр ягъэхьэзырынущ, абыхэм я IэщIагъэм, щIэныгъэм зрагъэужьынущ. Хьэрычэт цIыкIумрэ курытымрэ я зэпыщIэныгъэхэм зрагъэубгъунущ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26188.txt" }
ЩIэблэ къызыщIэмыхъуэр лъэпкъ хъуркъым Дыгъуасэ Налшык къалэ щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зи чэзу зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм я сабийхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и школхэм зэрыщеджэну, абыхэм я Iуэхухэр нэхъыфIу дэгъэкIа зэрыхъуну щIыкIэхэм. ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ мы Iуэхур япэ игъэщыпхъэу зэрыщытыр. — Хасэм хэтхэр нобэкIэ дызыгъэгузавэр Сирием щекIуэкI зэпэщIэтыныгъэхэр нэхъ кIащхъэ мыхъуу кIуэ пэтми зэрызэщIэплъэрщ. Ди лъэпкъэгъухэм я бынхэу хэкум къэкIуэжауэ щеджэхэм, дяпэкIэ къэкIуэжынухэм я Iуэхур зыхуей хуэгъэзэнырщ къалэн нэхъыщхьэр. ЩIэблэ къызыщIэмыхъуэр, абы гъуэгу езымытыр лъэпкъ хъуркъым, — дыщIигъужащ и псалъэхэм Сэхъурокъуэм. Хамэ къэрал кърашыжа сабийхэм адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ зэрамыщIэм къыхэкIкIэ, школым щаIэ дерсхэм къыкIэроху, абы къищынэмыщIауэ, 11-нэ классыр мы гъэм къэзыуххэми я Iуэхур хэплъэгъуэщ — бзэр фIыуэ зымыщIэ цIыкIухэм Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр ятыну къатехьэлъэнущ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар яхузэфIэмыкIмэ, адэкIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэну Iэмал яIэнукъым. Абы Iуэхур гугъу ещI. ЗэIущIэм къызэрыщагъэлъэгъуамкIэ, хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я щIэблэм щыщу мы гъэм цIыху 21-м школыр къаух. КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан къыщыпсалъэм жиIащ мы сабийхэм ящыщу цIыхуитIыр Зыуэ щыт экзаменыр ятыну зэрыарэзыр, адрейхэм школыр къызэраухамкIэ тхылъ иратынымкIэ сэбэп зэрахуэхъуфынур. Абы щхьэкIэ ныбжьыщIэхэмрэ адэ-анэхэмрэ зыхуагъазэу, щхьэж зыщIэтIысхьэнум елъытауэ я мурадхэр къащIэу, адэкIэ унафэ пыухыкIа къащтэну Семэным къыщыхилъхьэм, къызэхуэсахэр арэзы техъуащ. Зэхуэсым зи гугъу щащIахэм ящыщщ гъэмахуэм а школакIуэ цIыкIухэр, ныбжькIэ зэщхьэщыхауэ, зыгъэпсэхупIэхэм зэрыщагъэIэнури. ЗэIущIэм кърихьэлIахэм я Iуэху еплъыкIэ, хэкIыпIэ зэхуэмыдэхэр къыхалъхьащ. Ахэр ди газетым и къыкIэлъыкIуэ номерхэм ящыщ зым тетынущ. Инэрокъуэ Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26190.txt" }
КъБР-м и Iэтащхьэм щIыгъуу бюджетыр зэрагъэзащIэм хоплъэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен КъБР-м и Правительствэм экономикэм пыщIа и IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр къызрихьэлIа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Министрхэм мазаем къриубыдэу бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуар къапщытэжащ, апхуэдэу гъатхэпэ мазэм и ахъшэр зэрытегуэшар утыку къралъхьащ. «Бюджетыр гъэзэщIэным сыт хуэдэ гугъуехь хэлъми, — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм, — дэ гулъытэ хэха хуэтщIын хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьыным. Информатизацэм псынщIэу зыщиубгъу мы лъэхъэнэм дэ ди къалэнщ хъыбарзехьэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я IэнатIэр ящыдгъэпсынщIэну». КъБР-м и Iэтащхьэм зыхуэфащэ унафэщIхэм я пщэ ирилъхьащ журналистхэр, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр нэхъ зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэхэр лизингкIэ къэщэхунымкIэ хэкIыпIэхэр яубзыхуну. Дызэрыщыгъуазэщи, Къанокъуэ Арсен и унафэкIэ «Кабардино-Балкарская правда» республикэ газетым и редакцэр иужь зэманым елэжьащ абы и тиражыр нэхъыбэ щIыным, апхуэдэу иджыпсту щэбэтым напэкIуэцIу 8 хъууэ къыдагъэкI номерыр напэкIуэцI 16-м нэгъэсыным. Абы къыдэкIуэу щэбэт номерыр щхъуэкIэплъыкIэу традзэу щIадзащ. «Дэ диIэн хуейщ республикэм ис дэтхэнэри фIэгъэщIэгъуэну зэджэн газет тэмэм», — жиIащ Къанокъуэ Арсен. КъыхэгъэщIыпхъэщ газетым Iэ тезыдзахэм я мызакъуэу, щэбэтым къыдэкI номерыр нэхъ хуэмыщIауэ псэухэми пщIэншэу хуагъэхьыну зэрамурадыр. Дызэрыт илъэсым зэхъуэкIыныгъэ нэрылъагъухэр халъхьэнущ республикэм и телевиденэм и лэжьэкIэми. Телеканалыр сыт и лъэныкъуэкIи къагъэщIэрэщIэжынущ. Апхуэдэу дызэрыт илъэсым лажьэу щIидзэнущ «КъБР-инфо» республикэ хъыбарегъащIэ агентствэм. Гъуэгухэр ухуэнымрэ зэгъэпэщыжынымрэ хуэгъэзауэ зэфIагъэкIхэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ министр ДыщэкI Аслъэн. Абы зэрыжиIамкIэ, Джылы-Су щIыпIэм екIуалIэ автомобиль гъуэгур дызэрыт илъэсым хьэзыр хъунущ. Абы хуэгъэзауэ Къанокъуэ Арсен жиIащ езым и щхьэкIэ лэжьыгъэхэм я фIагъыр къипщытэну зэримурадыр. «Дзэлыкъуэ районым щIыуэпс къулей иIэщ, дэ ди къалэныр абы щыгъуазэ зызыщIыну хуей дэтхэнэми зыхуэфащэ Iэмалхэр къыхузэдгъэпэщынырщ», — къыхигъэщхьэхукIащ Къанокъуэ Арсен. Абы къызэрилъытэмкIэ, мы щIыпIэм иджырей курорт лъэщ щыухуапхъэщ. ЗэIущIэм къыщыщыпсалъэм КъБР-м ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ и министр Мамий Артур къигъэлъэгъуащ Урыху къуажэм сабий 300 щIэхуэу дэт школыр мы гъэм зэгъэпэщыжын зэраухыр. ЕджапIэщIэ дащIыхь Iэдииху поселкэми. Ар еджакIуэ 550-м ятещIыхьащ. Зэгъэпэщыжын яух Налшык дэт республикэ клиникэ сымаджэщри. «Уэ къалэн къызэрытщыпщIам тету лэжьыгъэшхуэ идогъэкIуэкI спорт IуэхущIапIэхэр республикэм и районхэм щыщIыным и лъэныкъуэкIэ. Мы махуэхэм хьэзыр хъунущ Сэрмакъ къуажэм дащIыхьа узыншагъэр щрагъэфIакIуэ физкультурэ комплексыр», — республикэм и Iэтащхьэм зыхуигъазэри жриIащ министрым. «Къыфпэщыт къалэнхэр зэрывгъэзащIэмрэ лэжьыгъэхэм я фIагъымрэ сыкIэлъыплъынущ», — къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Iэтащхьэм зэIущIэм и кIэухым. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26194.txt" }
Адыгэ къэрал университет
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26199.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, гъатхэпэм и 25 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Ди къежьапIэ». Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ центрыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.15 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.35 «Партие нэхъыщхьэ». Темыркъан Пётр 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 «IэнатIэ етынымрэ IэщIагъэм хуегъэджэнымрэ». «Урысей зэкъуэт» урысейпсо политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм щрагъэкIуэкIа «СтIол хъурей» (16+) 18.30 «И гупсысэхэр дэрэжэгъуэм ещхьу». Газаев Исхьэкъ (балъкъэрыбзэкIэ) 19.25 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.45 «Унагъуэ». Къэрэгъэш къуажэм щыпсэу Бэшорэхэ я унагъуэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.15 «Автограф». КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Джаппуев Мусэ (12+) 20.40 «Тхыдэм щыхьэт хуэхъухэр» (16+) 21.10 «Шукур, энтта тюбедик!…». УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля. Япэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, гъатхэпэм и 26 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «ЕгъэджакIуэ». КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Жанатаевэ Аслъижан (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Балъкъэр Тамарэ и бенефис (адыгэбзэкIэ) (16+) 8.25 «Жылагъуэ Iуэху». Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал псэупIэ инспекцэм и тхьэмадэ Къэжэр Нажмудин зыхэт нэтын (16+) 8.55 «Си щIыналъэм и цIыхухэр». Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран Мирзоев МутIалип (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.15 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. Еянэ Iыхьэ (12+) 18.00 Мультфильм 18.20 «Спорт хъыбархэр». Урысейм кудомкIэ и федерацэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр 18.35 «Наркоконтроль». ИлъэсипщI дэкIа нэужь (16+) 19.25 Мультфильм (6+) 19.30 «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Пщыгъуэш Юрэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.10 «Шукур, энтта тюбедик!…». УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля. ЕтIуанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.40 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 20.55 «Санкт-Петербург и щэнхабзэ дамыгъэ». СССР-м и цIыхубэ артист Темыркъан Юрэ 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, гъатхэпэм и 27 7.00 Мультфильм 7.15 «Утыкуми и гъащIэми теухуауэ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Щэрмэт Людмилэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Адыгэ шхыныгъуэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.15 «Ойнай-ойнай…». ГушыIэ программэ (балъкъэрыбзэкIэ) 8.30 «ФIы щIэн». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Атмурзаев Магомед (12+) 9.10 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 9.25 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. Ебгъуанэ Iыхьэ 18.00 «Балкария» къэфакIуэ гупым и концерт. Япэ Iыхьэ 19.25 Мультфильм 19.30 «Гухэлъ уэрэдхэр». Лирикэ концерт (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.00 «ШэрыIужь Анатолэ ягу къагъэкIыжу» (16+) 20.35 КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Жангуразов Мэжид (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 21.05 КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу ирагъэкIуэкIа дунейпсо турнир 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, гъатхэпэм и 28 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Рахаев Исмэхьил 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Дамыгъэтедзэ». Дамыгъэ тедзэным адыгэхэм иращIэкIыу щыта дауэдапщэхэр (адыгэбзэкIэ) 8.40 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБР-м и цIыхубэ артист Кулиев Борис (балъкъэрыбзэкIэ) 9.10 «Си лъахэу Къэбэрдей-Балъкъэр» фестиваль-еплъыныгъэр. КIэухыр (12+) 18.00 «Балкария» къэфакIуэ гупым и концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ 19.25 Мультфильм 19.30 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.00 «ЦIыху». Журналист Ахматовэ Мариям (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.30 КъБР-м и цIыхубэ артист Отаров Омар 21.10 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». ЦIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис зыхэт нэтын 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, гъатхэпэм и 29 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Ди Алий» (адыгэбзэкIэ) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.05 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». Шумахуэ ХьэзрэIил (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.50 «Зэчийр и Iэпэгъуу». УФ-м и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ Мокаев Владимир 9.25 «Гъэхэмрэ илъэсхэмрэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.00 Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ округым стIолыщхьэ теннисымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэм къратыкI репортаж 18.40 «Афияным пэщIэтхэм ятеухуауэ» 19.25 «Лъэужь». Гъубжокъуэ Хьэпагуэ. Шэрэдж Ищхъэрэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.35 «Нобэ, пщэдей…». Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.55 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.25 «Республикэм хуэгъэзауэ». Лэскэн район администрацэм и Iэтащхьэ Кебеков Валерий (12+) 20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, гъатхэпэм и 30 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Узэгугъур къогугъуж» (адыгэбзэкIэ) (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Уэрдэщ Александр (16+) 8.25 «Ди хьэщIэхэр». КъШР-м и цIыхубэ артист Узденов Альберт (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 9.20 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.10 Мультфильм 16.35 Фигейредо Г. «Эзоп». Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и спектакль 18.10 «Зыри тщыгъупщакъым». Налшык къалэ дэт 30-нэ курыт еджапIэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.40 «Гъуазджэм и бзэкIэ». СурэтыщI ПщыхьэщIэ Хьэсэн (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.10 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 19.25 «Чемпионхэр». СССР-м боксымкIэ спортым и мастер Урысмамбэт Анатолэ 19.50 «Тхъушх махуэ» 20.10 «Сурэтхэм къаIуэтэж». Япэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.25 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 20.45 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 21.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 31 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «УпщIэ щыуэркъым» (адыгэбзэкIэ) (16+) 7.35 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 7.50 «ФIым телэжьэн». КъБР-м и цIыхубэ артист Сэхъу Хьэсэн (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.25 «ЩIэныгъэм ухуэзышэ гъуэгу». Физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат Абшаев Алий (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.55 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.50 Мультфильм (6+) 17.00 Композитор Къардэн Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъум и щIыхькIэ екIуэкIа гуфIэгъуэ пшыхь (16+) 17.40 «Ар фщIэн хуейщ». Медицинэ хъыбарыщIэхэр 18.10 «Усэбзэм и купсэм». Аброкъуэ Бэллэ и творчествэр (адыгэбзэкIэ) (16+) 18.40 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) 19.00 «ТВ-галерея». Актер Нало Аскэр и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу 19.30 «Парламент сыхьэт» 19.50 «Сурэтхэм къаIуэтэж». ЕтIуанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.05 «Жьэгу». КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Баккуев Владимир. Япэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, гъатхэпэм и 25 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 21.15 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр Гъубж, гъатхэпэм и 26 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 9.30 «Макъамэ пощт» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «Литературэм и лъахэ» программэр (адыгэбзэкIэ) 21.05 «Зэманым и лъэужь» программэр Бэрэжьей, гъатхэпэм и 27 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 Театрым и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу. «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» программэр (адыгэбзэкIэ) Махуэку, гъатхэпэм и 28 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIхэр» 9.30 «Макъамэ пощт» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу. УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъШР-мрэ КъБР-мрэ я цIыхубэ артист Узденов Альберт и концерт (балъкъэрыбзэкIэ) Мэрем, гъатхэпэм и 29 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 20.40 «Вояж» нэтыныр 21.15 «Капитал-Инвест» иджырей ухуакIуэ IэнатIэщIэ Щэбэт, гъатхэпэм и 30 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIхэр» 10.35 «Макъамэ пощт» Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 31 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр КъБР-м и радио Блыщхьэ, гъатхэпэм и 25 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00-9.20 «Гум и къеуэкIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 Асановэ Кулинэ. «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, гъатхэпэм и 26 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.30 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.48/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Классикэ макъамэм и концерт» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05-16.35 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, гъатхэпэм и 27 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «Панорамэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, гъатхэпэм и 28 Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэщ «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Си Хэку — си уэрэд» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм папщIэ ятха пьесэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.34/17.42 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.44/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 «ЦIыхубэ уэрэдхэм я концерт» (адыгэбзэкIэ). 10.45-11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «ЗыузэщI, гъагъэ, Балъкъэр щIыналъэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25-12.45«Дэтхэнэри щIыхьэну хуит ящI» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.35 «Пшыналъэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, гъатхэпэм и 29 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/16.35 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, гъатхэпэм и 30 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «ЛIэщIыгъуэр лIэщIыгъуэм кIэлъыкIуэу» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Бжьамий телъыджэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр» (урысыбзэкIэ). 10.00-10.30«Дэрэжэгъуэ» (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00-14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, гъатхэпэм и 31 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ). 10.40-10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35-14.00 «Сыт хуэдэ зэманми и уэрэд» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26202.txt" }
Псэр зыгъэушэ IэдакъэщIэкIхэр Гъэ къэс гъатхэпэм и 21-м ягъэлъапIэ Усыгъэм и дунейпсо махуэр. Ар щагъэувауэ щытащ ЮНЕСКО-м и Генеральнэ конференцым и 30-нэ зэIущIэ 1999 гъэм екIуэкIам. Усыгъэм и махуэм теухуа япэ зэIущIэр 2000 гъэм гъатхэпэм и 21-м щекIуэкIат ЮНЕСКО-м и хэщIапIэу Париж щыIэмрэ Таганкэ театрымрэ (Москва). 2009 гъэм щегъэжьауэ махуэшхуэр утыку къыщрахьэ Литераторхэм я унэ нэхъыщхьэм, «Стихи», «Проза» литературэ порталхэм, ЮНЕСКО-м Москва щиIэ хэщIапIэм, Печатымрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ федеральнэ агентствэм я нэIэм щIэту. Псэр зыгъэушэ IэдакъэщIэкIхэр щыIу пшыхьхэр, абыхэм къыщеджэ зэIущIэ дахэхэр куэдрэ зэхашэ, усыгъэм и мыхьэнэмрэ и къарумрэ цIыхухэр щыгъуазэ ящIу. Усэм лъэкIыныгъэу иIэмрэ абы хэгъэпщкIуа гурыщIэхэмрэ я щыхьэту щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэм мы сатырхэр ныдолъхьэ. КIыщокъуэ Алим Кхъужьей къудамэ Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту, Ди хэкум къиши, къысхуэгъэс. Арат цIыхубзым къысхуищIэну СызэрелъэIур нобэм къэс. Кхъужьей къудамэм и гъусэнут Псы уэр уэрэду си гъэфIэн. Пшынэншэу къуршхэр къеуджэкIмэ, Сахэт си гугъэу сыгуфIэнт. Сызыхуэныкъуэу сэ сыт щыIэ – Данэм сыхэсми, сыхэхэсщ. Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту, Ди хэкум къиши, къысхуэгъэс. Ди кхъужьеижьыр гум ихуакъым, Езыр жыг уардэу щIым хэкIащ. Жыг щхьэкIэ дыдэм сэ сыпысу Си сабиигъуэр щIиупскIащ. Уэлбанэ хъуамэ, шкIахъуэ пщыIэт, ДыщIэст жыг щIагъым, дыщыджэгут. Жэщ хъуамэ, бзухэм я тIысыпIэт. А жыгыр ноби щIэтщ си нэгу. Согъазэ нобэ, жысIэ щIыкIэу НэгъуэщI къэралхэм салъоIэс. Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту, Ди хэкум къиши, къысхуэгъэс. Тхьэгъэзит Зубер Си гъатхэ Гъатхэ жьыбгъэм зиущэхуауэ, Налшык паркым къыщекIухь. И зэманым фIэбгъэкIауэ, Сэ пIейтейуэ зызоплъыхь. КъакIуэ псынщIэу — Сэ уэр щхьэкIэ Вагъуэ цIыкIухэр пызгъэнащ. Уэрэд гуапи уэ ухэту Нобэ си гум иусащ. А уэрэдым псалъэу хэтыр Сэ уэ бзэншэу ныбжесIэнщ. А уэрэдым и макъамэр Сэ уэ нэкIэ уэзгъэщIэнщ. Зи щхьэзакъуэм гъащIэр гъатхэу ИгъэкIуэну лъэмыкIын. …Уэрэ сэрэ дызэгъусэм, Майр зэи имыкIын! Бещтокъуэ Хьэбас * * * Гъуни щIэи иIэкъым дунейм, Гъунэ ямыгъуэтым ухуемыIэ. Хуиту упсэунум сыт уимыIэр? Уи псэр тыншу бакъуэ уи пщэдейм. Гъуни щIэи иIэкъым дунейм. Ауэ сщIэуи гъунэ зэримыIэр, Гъунэ псалъэм къикIым сыщIыхуеIэр — Гъунэ сыхуэныкъуэу аркъудей? Си гупсысэр хуиту нэмысауэ И зы кIапэ мы дунейм сIэщIэкI Хъужмэ, жысIэу си гур къызозауэ: И гугъэж щымыIэу езым фIэкI?! Гъуни иIэкъым дунейм: Гъуэтыгъуейкъым сэ си Iэпкълъэпкъ гъунэр. Ауэ си псэ гъунэр къэплъагъуну Упэмыплъэ, уимыIэм зэман лей! Псэм тыншыпIэ щиIэкъым дунейм! Гъубжокъуэ Лиуан Гъатхэ-нысащIэ ЦIыхубз тхьэIухуду гъатхэр БгъэдокIыж щIымахуэм, И нэчыхьыр хурегъэтхыр ЕгуэкIуау гъэмахуэм. Гъэрэ щIырэ щызэхэкIым, Якъутэжщ нэчыхьри, ТIу я мылъкур щращIыкIым, Лъысащ гъатхэм Iэджи. Гъатхэм ейщ къэтIэпI жыг хадэр, ЩIылъэ щхъуантIэр щIыгъуу. Ейщ щIымахуэм къуршыжь уардэр, Уэс мыткIужыр щIыгъуу. Къожьэ гуфIэу и нысащIэм, Мес, гъэмахуэ-щауэр, ЗэпащIэнущ быдэу гъащIэр, Гухэлъ зэхуащIауэ. Илъу я псэр зы чысэ Псэун я тхьэлъанэщ. Хуахьыр ахэм я ни я пси Щалъхуа лъахэ-анэр. Зэрышам я хьэгъуэлIыгъуэр Бжьыхьэ дызыхуэкIуэщ, Фыхэтыну а гуфIэгъуэм Сэ сыфхуагъэлIыкIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26205.txt" }
Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ Совет властыр зэрыщагъэувар Урысей къэралыгъуэм ПIалъэкIэ зэхаша и правительствэр 1917 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м Петроград щызэбграхуа иужь, большевикхэм властыр яубыдащ. Япэ махуэм щегъэжьауэ абыхэм цIыхубэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным къыхураджэу щIадзащ. Къащта унафэхэм я нэхъыбэри зытеухуар арат. Политикэ зэпэщIэувэныгъэхэм я гуащIэгъуэ дыдэм ирихьэлIащ Советхэм я ХI урысейпсо зэхуэсыр щекIуэкIа махуэхэри. Абы Ленин Владимир зи пашэ большевикхэм дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа, Мамырыгъэмрэ ЩIымрэ ятеухуа унафэхэр къыщащтэри, ЛэжьакIуэ-мэкъумэшыщIэ правительствэ (ЦIыхубэ комиссархэм я Совет) щызэхашащ. ЦIыхубэм я хъуэпсапIэу щытар нахуапIэ хъуауэ къалъытащ. Куэд дэмыкIыу, къэунэхуагъащIэ Совет правительствэм дунейм къытригъэхьащ 1917 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м къыдигъэкIа «Урысейм ис лъэпкъхэм я хуитыныгъэхэм я декларацэмрэ» щэкIуэгъуэм и 22-м хэIущIыIу ищIа «Урысеймрэ КъуэкIыпIэмрэ я муслъымэн гуащIэрыпсэу псоми» зарызыхуигъазэ къыхуеджэныгъэмрэ. Иужьрейм итт: «Иджы щегъэжьауэ фи диным, хабзэм, лъэпкъ-щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм зыри еIусэ хъунукъым». Большевик къэралым и япэрей лъэбакъуэщIэм Урысейм ис гуащIэрыпсэухэр щыгуфIыкIащ. Апхуэдэ щIыкIэм тету Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэри ящыщ хъуащ властыщIэр лъэ быдэкIэ зыгъэувыну щIэкъухэм. АрщхьэкIэ Дагъыстэн, Тэн, Тэрч, Псыжь (Кубань) хэгъуэгухэм я тепщэхэр Кавказ Ищхъэрэм социалист революцэр кърамыгъэхьэну зэгурыIуащ. Ар зрагъэхъулIэн папщIэ, абыхэм зэхашащ «Къэзакъыдзэхэм, бгырысхэм, губгъуэрыс лъэпкъхэм я Ипщэ-КъуэкIыпIэ зэгухьэныгъэкIэ» зэджэр. Абы теухуа хъыбарыр япэ дыдэу щагъэIуар 1917 гъэм жэпуэгъуэм и 6-рщ. Совет Урысейм Тэрч щIыналъэмрэ Дагъыстэнымрэ къыгуэгъэщхьэхукIыным и телъхьэу а зэманым къэувахэм ящыщщ меньшевикхэр щытепща Куржыри. ЗэIумыбзыныгъэхэм я гуащIэгъуэу Петроград къикIыжащ Советхэм я 2-нэ зэхуэсым и делегат, революционер пашэ Киров Сергей. А махуэхэм ар къыщыпсэлъащ Тэрч областым хыхьэ къалэхэу Псыхуабэ, Владикавказ, нэгъуэщIхэми. Адыгэ, балъкъэр мэкъумэшыщIэхэм я Iэтащхьэхэр властыщIэм и телъхьэу къэуващ. ЩIыналъэм иджыри щытепщэ буржуазием псынщIэу къызэригъэпэщащ Тэрч-Дагъыстэн правительствэр. Абы и унафэкIэ зэщIаузэда офицер гупым большевикхэм Владикавказ щызэхаша, Буачидзе Ной зи пашэ Советымрэ парт комитетымрэ зэбграхуащ. Ар дыдэр иращIащ Грознэрэ Налшыкрэ дэт Советхэми. Апхуэдэ удыным жэуап езымытыжыфынухэм большевикхэр ящыщтэкъыми, 1918 гъэм щIышылэ мазэм абыхэм Налшык РСДРП-м и округ организацэ къыщызэрагъэпэщащ. А гупым хыхьащ иужькIэ цIэрыIуэ хъуа Къалмыкъ БетIал, Мусукаев Ахъмэт, Беслъэней Хьэбалэ, Фадеев Федор, ШэджыхьэщIэ Дул сымэ, нэгъуэщIхэри. Большевикхэм я жэрдэмкIэ, 1918 гъэм щIышылэм и 25 — 31-хэм Тэрч щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я япэ зэхуэс Мэздэгу къалэ щекIуэкIащ. Абы хэта цIыху 400-м ящыщу 53-р Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я лIыкIуэт. А зэхыхьэшхуэм къыщащтащ Тэрч областым щыпсэу лъэпкъхэм Зэрызыхуагъазэ. Абы къыщыгъэлъэгъуат щIым, ерыскъым, лъэпкъ зэхущытыкIэхэм ятеухуауэ щыIэ щытыкIэр зэрырагъэфIэкIуэным и хэкIыпIэхэр. Тэрч и Iуфэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхыхьэм зэтемыхуэу Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ къыщагъэлъагъуэрт. Апхуэдэу къэзакъхэм къагъэувырт жыIэмыдаIуэу къыщIидза шэшэнхэмрэ ингушхэмрэ Совет властым и цIэкIэ зауэ ещIылIэн хуейуэ. Дауи, делегатхэм я нэхъыбэм апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр къащтакъым. КъаIэта Iуэхугъуэхэр куэдыIуэ зэрыхъуам къыхэкIкIэ, Совет властыр мы зэхуэсым къыщащтакъым. Ауэ Мэздэгу зэхыхьэм щыпхагъэкIащ Мамырыгъэм и унафэмрэ щIым, лъэпкъ Iуэхухэр зэфIэхыным, ерыскъым, къинэмыщIхэми ятеухуауэ Тэрч областым щыпсэу лъэпкъхэм зэрызыхуагъазэ Къыхуеджэныгъэмрэ. Апхуэдэуи, зи гугъу тщIы зэхуэсым пIалъэкIэ лэжьэну Тэрч область Совет къызэригъэпэщащ. Абы Налшык округым щыщу цIыхуи 5 хыхьащ. Ахэр Бозий Лэкъумэн, Лыкъуэжь Джырандыкъуэ, Хаджиев Магомедмурза, ТекIужь Анзор, Филатов Алексей сымэщ. Абы къыдэкIуэуи, а зэманым Владикавказрэ Грознэрэ щытыкIэр зэрыщызэIыхьам къыхэкIыу, пIалъэкIэ лажьэ Тэрч область Советыр Псыхуабэ Iэпхъуащ. Советым къудамибгъу иIащ. Абыхэм ящыщ зым — лъэпкъ IуэхухэмкIэ коллегием — и унафэщIу хахар Къэбэрдейм и лIыкIуэ Бозий Лэкъумэнщ. Тэрч областым ис лъэпкъхэм я 2-нэ зэхуэсыр 1918 гъэм и мазаем Псыхуабэ щекIуэкIащ. Абы екIуэлIа делегат 567-м ящыщу Налшык икIа лIыкIуэхэр псом нэхърэ нэхъыбэт: цIыхуи 131-рэ хъурт. Зэхуэсым и тхьэмадэу хахар осетин гупым я пашэ Такоев Симонщ. Абы и дэIэпыкъуэгъуу ягъэуващ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я лIыкIуэ Къалмыкъ БетIалрэ ди щIыналъэм ис урысхэм я лIыкIуэ Анджиевский Григорийрэ. Зэхуэсым къыщащтащ Тэрч областыр Урысей Федерацэм хыхьэ лъэпкъ-щIыналъэ автономиеу къэлъытэным и унафэри. Апхуэдэу, 2-нэ зэхуэсым къыщаIэта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Тэрч щIыналъэм Совет властыр щыгъэува зэрыхъунум хуэгъэзари. Абы теухуауэ яIэ Iуэху еплъыкIэр зэрызэтемыхуэм къыхэкIыу, зэхыхьэм къекIуэлIахэм я зэхуаку зэдауэ гуащIэ щекIуэкIащ. Ауэрэ здекIуэкIым, ЦIыхубэ комиссархэм я властыр (Совет властыр) зэхуэсым къыщащтэнымкIэ жэрдэм быдэр къыхэзылъхьар Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я лIыкIуэхэрщ. Абыхэм я цIэкIэ зэхыхьэм тIэунейрэ къыщыпсэлъар Ахъуэхъу Темботщ. 1918 гъэм гъатхэпэм и 4-м Совет властыр зэхуэсым къищтащ. Псыхуабэ щекIуэкIа 2-нэ зэхуэсым къыщащта Тэрч ЦIыхубэ Совет Республикэр, Украинэ Республикэм и ужькIэ пащтыхь Урысейуэ щытам щызэтрагъэува етIуанэ совет лъэпкъ къэралыгъуэщ. Тэрч областым Совет властыр зэрыщагъэувам теухуа хъыбарыр зэбграгъэIукIами, Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ иджыри щытетт ПIалъэкIэ зэхаша правительствэм и органхэр. ЕтIуанэ зэхуэсым щыIа лIыкIуэхэм Налшык къызэрагъэзэжу, Совет властыр щIыналъэм щыгъэувыным ахэр и ужь ихьащ. ИкIи 1918 гъэм гъатхэпэм и 18-м Къалмыкъ БетIал зи пашэ большевикхэм Налшык щызэхашащ Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я япэ цIыхубэ зэхуэсыр. Псори зэхэту абы къекIуэлIащ цIыху 500-м щIигъу. Зэхуэсым и тхьэмадэу хахар областым лъэпкъ IуэхухэмкIэ и ЦIыхубэ Советым и комиссар Ахриев Гапурщ. Абы и дэIэпыкъуэгъуу хахащ: адыгэхэм я цIэкIэ — Къалмыкъ БетIал, балъкъэрхэм къабгъэдэкIыу — Мисировыр, округым щыпсэу урысхэм я лIыкIуэ Видяйкин Дмитрий сымэ. Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ: 1) Тэрч лъэпкъхэм я 2-нэ зэхуэсым кърикIуахэм; 2) властым и къызэгъэпэщыкIэм; 3) щIыналъэм щыIэ политикэ щытыкIэм; 4) щIым теухуа Iуэхум; 5) цIыхубэ милицэ къызэгъэпэщын зэрыхуейм; 6) адыгэ, балъкъэр щэнхабзэхэм зегъэужьыным хуэгъэза Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщIхэми. 1918 гъэм гъатхэпэм и 21-м Налшык щекIуэкIа зэхуэсым къыщащтащ Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ Совет властыр зэрыщагъэувым теухуа унафэр. Абы Налшык округым и цIыхубэ Советым хагъэхьэну щыхаха цIыху 30-м ящыщу 18-р адыгэт, 6-р балъкъэрт, 6-р урыст. А лъэхъэнэм ирихьэлIэу Налшык округым щыпсэурт адыгэу мини 105-рэ, балъкъэру мин 35-рэ, урысу мин 25-рэ, адрей лъэпкъхэм къахэкIа псори зэрыщыту мин 20-м нызэрыхьэсми арат. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26207.txt" }
Мы махуэхэм Гъатхэпэм и 21, махуэку Лъэпкъ зэхэгъэж щIыным ебэныным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и унафэкIэ ягъэлъапIэ 1966 гъэм къыщыщIэдзауэ. Гуащэ театрым и дунейпсо махуэщ Даун узыфэр зыпкърытхэм я дунейпсо махуэщ. 2011 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м ягъэуващ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и унафэкIэ. Гъэрэ щIырэ зэхокI 1918 гъэм Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ Совет властыр щагъэуващ. Москва щекIуэкIынущ Урысейм и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм и ебгъуанэ съездыр. ТхакIуэ Махъсидэ Залымхъан къызэралъхурэ илъэси 103-рэ ирокъу. Адыгэ Республикэм щыщ сурэтыщI Хъуажь Рэмэзан и ныбжьыр илъэс 53-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 10 — 11, жэщым градуси 3 — 7 щыхъунущ. Гъатхэпэм и 22, мэрем Псым и дунейпсо махуэщ Балтие тенджызымрэ абы къедза щIыналъэхэмрэ хъумэным и махуэщ 1943 гъэм фашистхэм щIым щыщ ящIауэ щытащ Белоруссием щыIэ Хатынь къуажэр. Абы дэсахэм ящыщу зыри къелатэкъым (цIыхуи 149-рэ, 79-р сабийуэ). Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМА-м и профессор ФиIэпщэ Борис къызэралъхурэ илъэс 77-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 — 14, жэщым градуси 4 — 7 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26209.txt" }
Сабий тхылъым и тхьэмахуэ Хабзэ дахэ хъуауэ, илъэс къэс ди республикэм щрагъэкIуэкI Сабий тхылъым и тхьэмахуэ, ныбжьыщIэхэм яхуэгъэза литературэр утыку къихьэн, абы щIэблэр дегъэхьэхын мурадкIэ. Мы гъэми гъатхэпэм и 22-м ар екIуу къыщызэIуахынущ Налшык и Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм. А махуэм щегъэжьауэ гъатхэпэм и 29 хъуху къалащхьэми районхэми щекIуэкIынущ а Iуэхум ехьэлIа гъэлъэгъуэныгъэхэр, зэIущIэхэр, семинархэр, зэпеуэхэр, нэгъуэщIхэри. Къыхэгъэщыпхъэщ Сабий тхылъым и тхьэмахуэр Урысей псом зэрыщагъэлъапIэр. Ар къыхэзылъхьар икIи 1943 гъэм гъатхэпэм и 23-м «Тхылъ цIыкIур къыщалъхуа махуэ» зыфIаща япэ зэIущIэр езыгъэкIуэкIар (Союзхэм я унэм и колоннэ пэшым щызэхэтат) сабий тхакIуэ Кассиль Левт. Ар къызэрагъэпэщат «Детгиз» IуэхущIапIэм и унафэщI Дубровинэ Людмилэрэ Дзэ Плъыжьым и Политикэ управленэ нэхъыщхьэм и лектор Кассиль Леврэ. Жыджэру махуэшхуэм хэтащ Маршак Самуил, Михалков Сергей, Барто Агние, Пришвин Михаил, нэгъуэщIхэри. Псори къызэрыщIидзар мыпхуэдэущ. 1943 гъэм и гъатхэпэ махуэ уэтIпсытIт. Зауэр и гуащIэгъуэу екIуэкIырт, шхынхэр зэпэубыдат, унэхэр щIыIэт. Щыгъын фаджэхэр, зэхэдыжыхьахэр, вакъэ лъэбышэхэр зыщыгъ щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр Союзхэм я унэм щIэз хъуат. Ахэр нэхъуеиншэу едаIуэрт зи тхылъхэмкIэ фIыуэ яцIыху сабий тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ къыжраIэм. Апхуэдэу япэу ягъэлъэпIауэ щытащ «тхылъ цIыкIум и тхьэмахуэр». Илъэс дэкIри, ар Союзпсо Iуэху дахэ хъуащ, 1944 гъэм щегъэжьауи къалэхэм, къуажэхэм зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIыу щIадзащ. 1945 гъэм Киев щыIащ япэ тхьэмахуэр, Панч Петро, Бажан Миколэ, Багмут Иван сымэ зи хьэщIар. Мы гъэм илъэс 70 мэхъу сабий тхылъым и махуэхэм республикэхэм, районхэм, къуажэхэмрэ къалэхэмрэ я цIыхухэр, щIэблэр зэрызэхуашэсри, нобэр къыздэсым а зэIущIэхэм ныбжьыщIэхэр еджэным къыхураджэ, тхылъым драгъэхьэх. БЛИЙ Даянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26211.txt" }
Хлопонин Александр:Къэбэрдей-Балъкъэрым щапхъэ зытехыпхъэ IуэхущIапIэхэр щыIэщ Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ КъБР-м щыIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Хлопонин Александр. Псом япэу ар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен щIыгъуу Прохладнэ районым кIуэри, Учебнэ къуажэм мыгувэу къыщызэIуахыну иджырей заводым еплъащ. Зыхуэдэ Кавказ Ищхъэрэм щымыIэ а предприятэм и IэнатIэхэр мы зэманым зэтраухуэ. Къанокъуэ Арсенрэ Хлопонин Александррэ IуэхущIапIэщIэм зыщаплъыхь. КъБР-м и Iэтащхьэм диIыгъауэ щыта икIи инвестицэ проект нэхъ пэрытхэм я бжыгъэм хагъэхьа мы бизнес-проектыр къыхилъхьауэ щытащ «Капитал-Инвест» ООО-м. Ухуэныгъэм ирахьэлIэ материалхэр къыщIэзыгъэкIыну заводитIыр щIыным илъэситIкIэ елэжьащ икIи абы компанием сом меларди 2,2-рэ тригъэкIуэдащ. А ахъшэм и процент 40-р щIыхуэу ХъумапIэ банкым къыIахащ. И лъэщагъ псомкIи къагъэсэбэпу щIадза нэужь, предприятэм илъэс къэс чырбыш мелуани 100 игъэхьэзырынущ. Апхуэдэу мыбы кхъуэщыни щащIыну я мурадщ. Заводым щагъэува оборудованэр Италием къыщащэхуащ. Ар къригъэшащ мы IэнатIэм автоматикэм и Iэмалхэр зыубгъуауэ къыщыгъэсэбэпыным елэжь «Чизмак» компанием. IэнатIэхэм зыубгъуауэ къыщагъэсэбэпынущ чырбышыр зэрагъэгъущымрэ зэрагъажьэмрэ кIэлъыплъ икIи а лэжьыгъэхэр зыунэтI автоматхэр. Мы проектыр зэрагъэзэщIам и фIыщIэкIэ, лэжьапIэ IэнатIэщIэу 200 къызэрагъэпэщащ. Иджы абыхэм ягъэува цIыхухэм ику иту сом мин 15 къалэжь. Хлопонин Александр илъэгъуа псори игу ирихьащ икIи кIэрыхубжьэрыхухэр, дагъуэ зиIэ продукцэр здахьым щIэупщIащ. Заводым и унафэщI Шутов Александр зэрыжиIамкIэ, иджырей технологиехэр къызэрагъэсэбэпым, сырьем фIагъ лъагэ зэриIэм къыхэкIыу кIэрыхубжьэрыху щыIэнукъым, продукцэм мыхъумыщIэу къыхэкIри процент 1,5-м щIигъунукъым. Сырьер предприятэм метр 200-кIэ фIэкI пэмыжыжьэу къыщыщIахри, ятIэр къешэлIэным текIуадэр мащIэ дыдэщ. Полномочнэ лIыкIуэм хэхауэ къиIэтащ энергиер зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпынымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэр. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен абы и жэуапу къыхигъэщхьэхукIащ мы предприятэм технологие нэхъыфI дыдэхэр къызэрыщагъэсэбэпыр, абы и фIыщIэкIэ къагъэсэбэп энергиер процент 30 — 40-кIэ ягъэмэщIэну Iэмал зэраIэр. Апхуэдэу мы предприятэм щащI пкъыгъуэхэр къагъэсэбэпурэ ящIа унэхэр куэдкIэ нэхъ хуабэ мэхъу. «Апхуэдэу щытмэ, мы предприятэр щапхъэ зытехыпхъэщ. Адрейхэри хущIэкъун хуейщ апхуэдэу фейдэ пылъу зэрылэжьэным». Учебнэ къуажэм дащIыхьа заводым и продукцэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым, Ипщэ федеральнэ округым я щIыналъэхэм щащэну я мурадщ. Абы и ужькIэ Хлопонин Александррэ и гъусэхэмрэ Налшык къагъэзэжащ икIи абы щрагъэкIуэкIащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и деж ЩIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ щылажьэ советым и зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ энергиер къыдэгъэхуэным, ар нэхъ сэбэп пылъу къэгъэсэбэпыным, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и муниципальнэ щIыналъэхэм я санитар-экологие щытыкIэр егъэфIэкIуэным. Абазэ Бэллэ, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26213.txt" }
Угъурлыуэ Тхьэм къытхущIигъэкI! Адыгэхэр дунейм тет лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Илъэс мин бжыгъэхэм къыщынэркъым абыхэм я тхыдэм, я хабзэм и лъабжьэр къыщежьар. Абы зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэхэм я къэхъукIэм и гъэщIэгъуэнагъыр. Ещхьыркъабзэщ адыгэ хабзэм цIыхум я зэхущытыкIэ дахэхэр зэрызэригъакIуэр, дунеймрэ цIыхумрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр ди хабзэхэмрэ лъэпкъ нэщэнэхэмрэ къызэрыхэщыр. Апхуэдэу дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и щытыкIэ зэхуэмыдэхэмрэ абыхэм яIэ плъыфэ зэмыщхьхэмрэ игу ириубыдэкIэрэ, дунейм хуэIэзэ хъууэрэ, цIыхум бгъэдэлъ щIэныгъэм зригъэузэщIырт. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищIыр дуней къэхъукъащIэхэрат. Мэкъумэш щIэным зи гъащIэр теухуауэ щыт адыгэхэм абы ехьэлIа Iуэхугъуэ псоми зрагъэужьырт. Iэщым хэтым, Iэщ зезыхуэм — абы и пIалъэ ищIэрт. Ар IупщIу щынэрылъагъущ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къыддекIуэкI хабзэхэмрэ зетхьэ лъэпкъ хьэлымрэ. Абыхэм хеубыдэ ди махуэрыбжэри. Япэ щIыкIэ адыгэм илъэсыр IыхьитIу дгуэшу щытагъэнущ — гъэрэ щIырэ е гъэмахуэ пIалъэрэ щIымахуэ пIалъэрэ. Абы и щыхьэту къыщIэкIынщ нобэ ди гъащIэм хэт псалъэуха «Гъэрэ щIырэ зэхэкIащ» жыхуиIэр. Нэхъ иужьыIуэкIэ илъэсыр пIалъиплIу ягуэш хъуащ: гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ. Мыбы дэтхэнэ зыми мазэ щырыщ яубыдырт. Мазэм махуэ 30, ауэ щыхъукIэ, илъэсым махуэ 360-рэ къриубыдэу апхуэдэт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, илъэс къэс махуэ зытхух къыдидзэрт. Ахэр адыгэхэм тхьэлъэIу махуэхэу ялъытэу щытащ. Апхуэдэ тхьэлъэIу махуэхэм ящыщт гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуищыр, IутIыж, вакIуэдэкI, вакIуэихьэж, удзыпсзэутх, гъубжэдэх, Созэрэщ и тхьэлъэIу, Тхьэшхуэгухьэж, Хъуромэ махуэхэр, нэгъуэщIхэри. Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ адыгэхэм (абыхэм я закъуэкъым) ипэкIэ зэманыр апхуэдизу зэпэлъытауэ, мы Iуэхур мы махуэм, мы сыхьэтым, мы дакъикъэм техуэу щытын хуейщ, жаIэу зэрыщымытар. Ауэ, шэч хэмылъу, дунейм и щытыкIэм хуэнабдзэгубдзаплъэт. Гу нэхъ зылъатэр дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм я щытыкIэрт. Псалъэм папщIэ, дэтхэнэ къуажэми зы бгыщхьэ е Iуащхьэ, жыг хута гуэрхэр яIэти, абыхэм я щхьэщыгум дыгъэр къиувамэ, къулъшыкъу, къулъшыкъушхуэ, шэджагъуэ хъуащ, жаIэрт. ПсэупIэ унэхэм я гупэхэр къуэкIыпIэм нэхъ хуэгъэзауэ щытти, бжэ, щхьэгъубжэ дазэхэм къыдидз дыгъэ бзийхэмкIэ яхутэрт махуэм и пIалъэхэри. Махуэм и кIуэцIкIэ мыхьэнэшхуэ зратхэм ящыщт дыгъэм, ар зытепсэхэм ядз ныбжьхэм. Жэщым гъуазэу къагъэсэбэпырт вагъуэхэр, вагъуэбынхэр. Апхуэдэу илъэсыр IыхьиплIу зэрагуэшыр адыгэхэм ирапхырт «ВагъуэбэкIэ» зэджэ вагъуэбыным. Ди анэдэлъхубзэм къыхэнауэ иджыри хэтщ мыпхуэдэ жыIэгъуэхэр: «Вагъуэбэр щIым къыхэкIащ», «Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъащ», «Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьащ», «Вагъуэбэр щIым хыхьэжащ». Мы псалъэухахэм ящыщ дэтхэнэми мыхьэнэ пыухыкIа иIэт икIи гъэм и зэман хэхам епхауэ жаIэрт. Вагъуэбэр щIым къыхэкIауэ щалъытэр гъатхэм и деж махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щыхъу зэманырт. Иджырей ди махуэрыбжэм тепщIыхьмэ, ар зыхуэзэр гъатхэпэ мазэм и 21-22-р аращ. Мыбы ирихьэлIэу адыгэхэм илъэсыщIэр къихьауэ ялъытэрт. «Гъэрэ щIырэ зэхэкIащ», — жаIэрт абы щыгъуэ. ИлъэсыщIэр къыщихьэ махуэшхуэм теухуауэ унагъуэ къэс мафIащхьэтыхь (иужькIэ мафIащхьэ джэд жаIэ хъуащ) ящIырт, гъэфI къаритыну Тхьэм елъэIурт, щIалэгъуалэр хъуромэ джэгурт. Мы тхьэлъэIум нэгъуэщI хабзэ хьэлэмэтхэри пыщIат. Гъэрэ щIырэ зэхэкIа и ужькIэ, IутIыж тхьэлъэIур ящIырт. Тхыдэм къызэрыхэнамкIэ, абы и деж джэдыкIэ куэду ягъавэрт, джэдыкIафэр щIым нагъэсырт, губгъуэм дэкIыурэ джэгу ящIырт. IутIыжым и ужькIэ джэдыкIэ ягъажьэу е ягъавэу яшхыртэкъым, джэдхэр къурту джэджьей кърашу яутIыпщыжыху. Ещхьыркъабзэу, щэкIуэнми табу тралъхьэрт, щIэжьейм замыужьауи зыгуэр къэбукIыныр гуэныхьышхуэ зыпылъ Iуэхугъуэу къалъытэрт. Гъэрэ щIырэ щызэхэкIам къыщыщIэдзауэ япэ махуэ 30-м гъатхэпэ мазэкIэ еджэрт. КъыкIэлъыкIуэ мазэм щхьэкIэ гъатхэку жаIэу, ещанэм гъатхэкIэ фIащауэ щытащ. Апхуэдэ фIэщыгъэхэт яIэу щытар гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ мазэхэми. Илъэсым и пIалъэхэр зэрызэблэкIыр, зэрыжытIащи, Вагъуэбэм иIэ щытыкIэм елъытат. Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ (ар зыхуэзэр мэкъуауэгъуэм (июным) и 21 — 22-хэрат), гъэмахуэм щIидзауэ ялъытэрт. Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьамэ, фокIадэм (сентябрым) и 21 — 22-хэм, бжьыхьэр къихьауэ арат. Ауэ Вагъуэбэр щIым хыхьэжамэ, дыгъэгъазэм (декабрым) и 21 — 22-хэм, щIымахуэр къэсауэ ябжырт. Дунейм и щытыкIэмрэ дыгъэм и къепсыкIэмрэ, мазэм игъуэта теплъэмрэ вагъуэхэм я зэхэувэкIэхэмрэ ятепщIыхьмэ, нобэ Вагъуэбэр щIым къыхэкIащ. Гъатхэм и Iэдий щхъуантIэхэм щIылъэм хуиту зыщаукъуэдий, гъэрэ щIырэ щызэхэкI зэманщи, гъэ бэв диIэну, илъэсыр угъурлыуэ къытхущIэкIыну, насып къытхуихьыну Тхьэм жиIэ!
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26216.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Нэщэнэхэр Уи набдзэр шхэмэ… Уежьауэ къэбгъэзэжмэ, уи Iуэхур къохъулIэнукъым жаIэрт. Уи бзэгум зыгуэр къыхэкIмэ, бзаджэ къыбжаIэну къалъытэрт. Уи набдзэр шхэмэ, зыгуэрым сэлам епхынущ. Уи Iэхэр уи щхьэщыгум щызэрыбдзэну фIыкъым жаIэрт. Унэм цIыв къыщIыхьэну фIыщ. Къуажэхьхэр IэфIри фIэIури къэзыщIэф ПIастэм хэIэбэрей, Ауэ мышхэрей. ГъущI тхьэмпэр Зи напэ, Бжэгъу гъурыр Зи кIапэ. Яшхыр зэIызыщIэ, IэфIри фIэIури КъэзыщIэф. Башхэр Зытеджагуэ, Джэгухэр Къэзыгъафэ. Лъакъуэ зимыIэу Унэм щызекIуэ ЖЭУАПХЭР: Бэлагъ. Бел. Бзэгу. Бэрэбан. Бжэ. Зэхэзылъхьар Щоджэн Леонидщ. Сабийхэм жаIэ ДимыIэжуи? — Кхъузанэр къысхуэхьыт, си хъыджэбз цIыкIу, — зыхуигъэзащ анэшхуэм пхъурылъхум. — ДимыIэжуи? Ар зэрыщыту гъуанэ хъуати, хыфIэздзащ. Тхыдэр нэхъ кIэщIт Адэшхуэр къуэрылъхум йогие: — ТхыдэмкIэ «2» къэсхьуи. Сэ сыщеджэм абыкIэ «5» фIэкI къэсхьыртэкъым. — Абы щыгъуэм, дадэ, тхыдэри куэдкIэ нэхъ кIэщIу щытащ. Ар зыщумыгъэгъупщэ! Щыуагъэншэу тхэмэ Классым щIэуэ хагъэтIысхьа Идар егъэджакIуэр еупщIащ: — Хэт убгъэдэзгъэтIысхьэн? ЩIалэ цIыкIу хьэмэ хъыджэбз цIыкIу къыхэпхыр? — Узыхуейм сыбгъэдэгъэтIысхьэ, щыуагъэншэу тхэ закъуэмэ, хэти здэнущ, — жэуап къитыжащ еджакIуэм. Хъыбар Адыгэ пщащэм и хахуагъэ Урыс-Кавказ зауэжьыр екIуэкIырт. Адыгэхэм загъэхьэзырырт ТIуапсэ быдапIэр зэхакъутэну. Шапсыгъым щыцIэрыIуэ пщащэ, Къазийхэ япхъу Хьэнифэ дахэм къылъыхъуат дзэзешэ хахуэ Къуэджэбэрдыкъуэ Мыхьэмэт. А зэман хьэлъэр нысашэм, хьэгъуэлIыгъуэм темыгъэпсыхьами, Хьэнифэ арэзы хъуат и насыпыр Шапсыгъым и щIыбкIи зи лIыгъэр щызэлъащIыса щIалэ бжьыфIэшхуэм си гуащIэрэ си зэфIэкIрэ ирипхыну. Хъыджэбзым зэхихат Мыхьэмэт сымэ ягъэхьэзыр теуэныгъэм и хъыбар. Арати, а зэманым къекIуэкIыу щыта нысэ уасэм и пIэкIэ, зи лъэпкъым и къэкIуэнум хуэгумэщI бзылъхугъэ Iущым Мыхьэмэт хуигъэуват бийм и топ къуентхъыу къыхуишэмэ, абыкIэ арэзыуэ. Мыхьэмэти, и лIыгъэм къигъэгугъэрти, апхуэдэ уасэм йоувалIэ… Адыгэдзэр ТIуапсэ быдапIэм тоуэри зэхакъутэ. Мыхьэмэт урыс топыр къуентхъ къещIри, Хьэнифэ дахэм къыхуешэ, ауэ езыри уIэгъэ хьэлъэу, шэм зэщIиблауэ къашэж. Мыхьэмэт и гъыбзэм мыпхуэдэу хэтщ ар къыщашэжым Хьэнифэ жиIауэ: СыпыкъуокI гущэри, сыщыппыкъуэплъкIэ, Уей, и шытх гущэмэ лъы пцIыгъэр ити… Шэр къыщыхахыжми лIыгъэшхуэрэ шыIэныгъэрэ къегъэлъагъуэ, тIэкIуи нэхъыфI къохъужри, абы щыгуфIыкIа джэгуакIуэм «Къуэджэбэрдыкъуэ Мыхьэмэт и шэхэхыж уэрэд» нэщхъыфIэр зэхелъхьэ. Ар псалъэ зыхэмыт макъамэ-уэрэдт, шыкIэпшынэкIэ ягъэзащIэу, ежьу щIэту. АрщхьэкIэ, куэд дэмыкIыу, Мыхьэмэтыр къызэIохьэжри, уIэгъэхэм йолIыкI. Япэ уэрэдыр хузэхэзылъхьауэ щыта джэгуакIуэм зэуэ гъыбзэ еус, ар жаIэурэ щIалэр щIалъхьэ. Абы и ужькIэ Хьэнифэ цIыхухъу щыгъынкIэ зихуапэщ, IэщэкIэ зиузэдри дэшэсыкIащ, зыми хъыбар иримыгъащIэу. ЗыщIыпIэ къикIа щIалэщIэу фIэкI закъримыгъэцIыхуу, адыгэ шуудзэм хыхьэри, джатэпэрыкIуэу, шыщхьэмыгъазэу зэуащ, гу зыщимыхуа Мыхьэмэт и лъыр ищIэжу. Ар пщащэу къыщащIар, зэры-Хьэнифэр къыщацIыхуар къаукIыу шым къыщехуэхаращ. И цIыхухъу пыIэр щхьэрыхури, абы щIэгъэпщкIуа щхьэцышхуэр къыщIэхуат, и хъыджэбз куэншыбэри зэрыщыгът… Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр Николай Езанэм и пащтыхьыгъуэм щыIа Кавказ-Бгырыс эскадрон ныкъуэм и обер-офицерщ. (ЗэрыхуэдгъэфащэмкIэ, Анзор Хьэтущ) 1864 гъэ ЖыIэгъуэхэр ПщIэншэ уадэ ПцIым уи лъэм лъахъэ кърелъхьэ. ЩытхъукIэ яшыуар мышу мэхъу. Фадэм и кIэухым хым ухешэ. ЗэфIитIым я кум удыхьэмэ, фIырыфIкIэ укъыдэкIыжыфынукъым. ГупэкIэ къыпщогуфIыкI, щIыбыр хуэбгъазэмэ, мэхъур гущыкI. Сакъым къару егъуэт. Лэжьыгъэм и щыгъэр гуащIэдэкIщ. Фадэм гуауэр къегъэуш. Къызэрызэтрихыу и напIэр, ефэурэ дех и бампIэр. Псалъэ дахэ зи бэм ухуэмыбэлэрыгъ. ИIэщ бзэгуми лъэрыгъ, мысакъ куэдыр егъэбэлэрыгъ. ЩыпIихкIэ щIыхуэ ар ахъырзэманщ, къеIыпхыжыну ухуежьэмэ, имыIэ Iиман. ПщIэншэ уадэм зиIэтын имыдэ, хуэгъэIу ухуейми уэредадэ. Къардэн Мухьэмэд. Гупсысэр – псалъэкIэ Бзэм и лъахэм Анэдэлъхубзэм си гум абгъуэ щещI. Ар къыздалъхуащ, си сабиигъуэр щIиупскIащ, сигъэфIащ. Иджы си гупсысэм и псэщ, и къэIуэтакIуэщ. Хьэуам хэтщи, жьэдэсшэ пэтми зызмыгъэнщIу сробауэ. Си псалъэр егъэлъэщ, егъэпагэ, егъэлъагэ. Зыгуэрым сигъэпIейтеямэ, а псалъэ къомыр нэIурыт къысхуохъу. Си гупсысэр ятIэпI, яшэщI, гъащIэ ират. Я нэхъ гуапэр къахызощыпыкIри, бзэгупэм пызогъэлъэтыкI. СурэтыщI Iэзэм сыту ещхь-тIэ ахэр — си пащхьэм гъащIэ лъагъугъуафIэ, нэфIэгуфIэ, насыпыфIэ иращIыхь. Гупсысэмрэ си нитIымрэ зэхуашэри, зы щэху телъыджэ гуэр кърагъэтIэщI. Сохъуапсэри, си нэгум къыщIыхьам, си гум къихъуам сыхыхьэну солъэдэкъэщыкI… ИтIанэ зыхызощIэ, анэдэлъхубзэр псэуэ зэрысIутыр, Iэпкълъэпкъым хэгуэшауэ зэрыхэтыр. Хьэуэ, сыщыгъуазэкъым бзэм и щэху псоми. Абы гъуни, нэзи, лъащIи иIэу си фIэщ хъуркъым. ИтIани… зыхэсщIа мащIэр къысIурыIэфIащ. Гум къикI гупсысэр щыгуапэм, щыхьэрэмыгъэншэм деж, псалъэхэри сыту нэху! ЗигъэнщIыркъым си гум, бзэм и лъахэм щыбэуэнкIэ, абы щызэхилъхьа макъамэм щIэдэIункIэ, зигъафIэу и куэщI хуитым щыусэнкIэ. Гугъуэт Заремэ. Шхыныгъуэхэр Тхьэвым кIуэцIылъу гъэжьа джэдыл Мыр нэхъыфI щыхъур джэдыщIэмэщ. ПщагъэкIэ пща тхьэвыр хупхъэкIэ яху и Iувагъыр сантиметр 1,5-рэ, и бгъуагъыр — 20, и кIыхьагъыр — 30-40 хъууэ. Абы джэдыл цIынэ шыуа зэпкърахар IыхьиплIу, зэлъэмыIэсу тралъхьэ, бурш хьэжа, джэдгын тракIутэ, бжьын цIынэ, бжьыныху, къуэнтхъурей упщIэта, тхъуцIынэ зэпыгъэлъэлъа тралъхьэри тхьэв кIапэхэр зэкIэрагъэпщIэж. Ар тхьэмщIыгъуныбэм ещхь мэхъу. ИтIанэ джэдыл зыкIуэцIылъ тхьэвыр дагъэ зыщыхуа тебэм хуэсакъыу иралъхьэ, зэпыгъэпщIапIэр къыдэгъэзеяуэ. Абы и щхьэм шатэ щахуэ, тхьэвым сапэкIэ гъуанитI-щы хуащI, хьэ- кулъэм ирагъэувэри тхъуэплъ хъуху, дакъикъэ 18-20-кIэ, ягъажьэ. Кърахыж, тхьэв жьам тхъуцIынэ щахуэ, щабэ хъун щхьэкIэ щIауфэри, дакъикъи 6-8-кIэ щагъэт. Iэнэм щытрагъэувэкIэ, и бгъуапIэмкIэ плIыуэ зэпагъэж. Абы къыщIэж псыр тракIэж. Пщтыру яшх. Ерыскъы IэфIщ, къэуатщ. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): тхьэвым: гуэдз хьэжыгъэу — г 650-рэ, псыуэ — г 280-рэ, пщагъэу — г 12, джэдыкIэу – 1, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз; джэдылым: джэдыл зэпкърыхауэ — г 700, бжьын цIынэу — г 30, къуэнтхъурейуэ — г 30, тхъуцIынэу — г 150-рэ, бжьыныху укъэбзауэ — г 30, шатэу — г 25-рэ, тебэщыхуэ тхъууэ — г 10. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. Къэхъуа ПщIэгъуалэр шым я лейщ Мэртазэ и къуэр зекIуэ къикIыжу Къуэгъулъкъуей къыдыхьащ. Уэрамым къыздрикIуэм, сабий гуп джэгуу ирохьэлIэ икIи мурад ещI зы щIалэ цIыкIу къидыгъуу къану ипIыну. Сабийхэм къащыхыхьэм, абы и къамышыр зыIэпигъэхуащ, зы щIалэ цIыкIум ар къыщыхуишиижым, къипхъуатэри ирихьэжьащ. Сабийр Къуэгъулъкъуэхэ яйт. Унэм къэсыжа иужь щIалэ цIыкIум Мэртазэ и къуэм зыхуигъэзащ: — Дапщэщ сыбгъэкIуэжыну? — жиIэри. — Унэ уиIэмэ, кIуэж, унэншэ хъун, бжесIэмэ, ущхьэхуитщ, — иритыжащ абы жэуап Мэртазэ и къуэм. ЩIалэр Мэртазэхэ я бжэныхъуэт. Апхуэдэу бжэн здигъэхъум, зы шыщхьэ къупщхьэжь губгъуэм къыщигъуэтауэ щIэх-щIэхыурэ абы бгъэдыхьэурэ тхьэусыхэрт: — Уэ алъпыжь урищхьэт, сэ лIы цIэрыIуэ срикъуэт. Дэнэ къуэладжэ дыдэкIуадэрэ? — жиIэурэ. Мэртазэхэ я Iэхъуэхэм ящыщ зым абы гу лъетэри, зы махуэ гуэрым гъунэгъу зыхуещIри, щIалэм и тхьэусыхафэм йодаIуэ. Ар Мэртазэ и къуэм и деж куэдрэ нэсыжынт, фIэгъэщIэгъуэн хъуащ губгъуэм илъ шы къупщхьэжьыр алъпым зэрейр къызэрищIар. ЩIалэр къриджэри шы Iуэхум зэрыхищIыкIыр зригъэщIащ. Зэгуэрым Мэртазэхэ я къуэм шы къищэхун мурад иIэу щыдэкIым, щIалэр гъусэ ищIащ. Махуэ псом къакIухьауэ, ягу ирихьын гуэри иримыхьэлIауэ, губгъуэм фэджэладжэ дыдэу зы пщIэгъуалэ иту къалъэгъуащ. — Мис мыр къэщэху, — жиIащ щIалэм. — Зиунагъуэрэ, мыр зифаджагъыр къуажэм дауэ дэсшэну, псоми ауан дыкъащIынщ, — тегушхуэртэкъым Мэртазэ и къуэр. Сытми щIалэм щыхигъэзыхьым арэзы хъури, шыр къищэхуащ. Абы иужькIэ къарэ лъакъуэхурэ пцIэгъуэплъ фэкъурэ зыIэрагъэхьащ. ИлъэскIэ зыхуей хуигъазэу, елIалIэу игъэшхащ ахэр щIалэм. Щыми, уеплъмэ, шы дэгъуэ къахэкIат. Иджы щIалэр зыхущIэкъур зыт: Мэртазэ и къуэр и пIэ къришу: «Унэ уиIэмэ кIуэж, унэншэ хъун!» зэрыжригъэIэнырт. Арати, Iэмал къилъыхъуэу щIидзащ. «Узэджэр къокIуэ» жыхуаIэрати, куэд мыщIэу зэрыхуейм хуэдэу Iуэхур къекIуэкIащ. Мэртазэхэ я гъунэгъум я хьэгъуэлIыгъуэт. ЛIыр ираджэри, абы екIуэкIащ, Къуэгъулъкъуэхэ я къуэм пщIэгъуалэр къыщIишщ, уанэр трилъхьэщ, шым шэсри джэгумкIэ екIуэкIащ. ХьэгъуэлIыгъуэм и гуащIэгъуэу зригъэхьэлIэри, пщIэгъуалэ къызэщIигъэплъамкIэ пщIантIэм дэтым яхэлъадэри зэбгрихуащ. Мэртазэ и къуэм хъыбар щрагъащIэм, щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъри: — Унэ уиIэмэ, кIуэж, унэншэ хъун, — жиIэри къыщIэгубжьащ. — Мис а псалъэхэрт сэ куэд щIауэ сызыпэплъэр, — жиIэри щIалэр къежьэжащ. Мэртазэ и къуэр жиIам хущIегъуэжауэ, сыт хуэдизрэ къемылъэIуами, къигъэзакъым. Абы пхъэр кIэлъежьащ, къарэ лъакъуэхумрэ пцIэгъуэплъымрэ тесу. Къуэгъулъкъуэхэ я къуэр зэм дыгъэм хуэкIуэу, зэм псыхъуэ мывэр и кIуапIэу Тэрчыпсри Урыхупсри къызэринэкIащ. Сытми, пхъэрхэми яIэщIэкIащ. Урыху бжьэпэм къытеувэжауэ, пхъэрхэр къэсри, псы уэрым къыхэмыхьэфу здэщытым къеупщIахэщ: — Уи ужь псынщIэу диту дыкъежьащ. Шыхэм псоми зэхуэдэу уелIэлIащ. Сыт апхуэдизу дыкъыщIыпкIэрыхуар? — Шы къарэр лъэгу щабэщ, псыхъуэ мывэм къыщикIухьыфыркъым, пцIэгъуэплъ фэкъум дыгъэр къытохьэлъэ. ПщIэгъуалэр шым я лейщ, — жиIэри КъуэгъулъкъуейкIэ иунэтIыжащ. Зытхыжар Бесчокъуэ Далымщ. Хьэтуей къуажэ Псалъэжьхэр Псэр ящэри, напэ къащэху ЛIыхъужь и лъэужь кIуэдыркъым. Нэмысыр лъэIукIэ къахьыркъым. Нэрылъагъу щытхъу щIыбагърыубэщ. Псалъэ бутIыпщам аркъэн кIэлъумыдзыж. Псэр ящэри, напэ къащэху. Псы къэмыжэм псыхьэлыгъуэ хыумыш. Псымрэ мафIэмрэ IэубыдыпIэншэщ. Пхуэмыфащэ щауэгъу умыщI. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 2. Совет зауэлIхэр къызэримыкIуэтынур бийм … ящыхъуат. 5. Чы ухъуэнщIахуэ. 6. Шыр къызэрагъэIурыщIэ кIапсэшхуэ. 8. Псыщхьэ тещтыкIа. 11. УэрэджыIакIуэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист … Юрэ. 12. Къэбэрдей тхакIуэ пажэхэм ящыщ. 14. Зи щхьэцыр, жьакIэр зэщIэкIа. 15. Сирием адыгэхэр зэреджэу щыта. 17. СызыщIэс унэр … куэду зэтетщ. 19. Зи бзэр кIуэдыжа адыгэ лъэпкъ. 23. Шы гуартэ. 24. США-м и президент. 25. Щхьэл мывэхэр зэкIэрэхъуэкI. 28. Джэдкъазыц щабэ. 29. И щхьэцым … хидзащ. 32. Куэд зи фэм дэзыгъэхуэф. 34. Партизанхэм апхуэдэ IэщэкIэ бийм хьэлэчыпцIэр халъхьэрт. 36. А унэцIэр зэрахьэ адыгэм къахэкIа шууей нэхъ цIэрыIуэ дыдэми, дохутыру лажьэ адыгэ усакIуэми. 38. ЩIыпIэ хуабэхэм къраш пхъэщхьэмыщхьэ. 39. Уэрэд жызыIэм (уэрэдыжьым нэхъ ехьэлIащ) и дэIэпыкъуэгъу гуп. 41. Iуэху мыублэ … хэсщ. 42. Шыуанышхуэ. 45. ХадэхэкI. 46. Мэкъу пыупщIа сатыр. 47. Ватикан къэрал жьгъей цIыкIур а къалэм хеубыдэ. 48. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу, адыгэм ди гъунэгъу лъэпкъ. 49. Волгэ псым адыгэхэр зэреджэу щыта. 50. Тонни 100 хуэдэ къэзышэч «бдзэжьей». Къехыу: 1. НэщI мазэм тхьэмыщкIэхэм, зеиншэхэм ират Iыхьэ. 2. ЦIыху … е мыхьэнэншэ, сэбэпыншэ. 3. Каспий тенджызым и Iуфэм Iус лъэпкъ. 4. Ерыскъыр … хъуащ. 7. Языныкъуэ ерыскъыгъуэхэр гурымыхь зыщыхъу, зэзымыпэс цIыху. 9. Хьэпщхупщ. 10. МахуэцIэ. 13. Къыщалъхуа щIыпIэр къигъэнауэ нэгъуэщI щIыналъэ щыпсэу цIыху. 16. «Купсэ», «Губгъуэм ит тхьэрыкъуэ», нэгъуэщIхэри зыгъэзащIэу щыта уэрэджыIакIуэ … ЛутIэ. 18. Пасэрей адыгэ зауэлI щыгъын. 20. Щыгъыным хищIэ хьэпIацIэ. 21. Адыгэм къахэкIа бзылъхугъэ пшынауэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэр. 22. Адыгэ къэфэкIэ. 26. БгитI зэхуаку. 27. Зи щхьэгъусэм къыбгъэдэкIыжа цIыхубз. 30. Гъэгъа хужь цIыкIу къызыпидзэ удз. Джэдкъазым, Iэщым яшх. А удзым «хьэндыркъуалъэкIи» йоджэ. 31. Плъыжьыфэ. 32. ЦIыху гъум кIэщI, хэщIыхьа. 33. … щIыкIэ къыумыгъэшар, бжэгъу хъуа иужь къыпхуэгъэшыжыркъым. 34. Улажьэмэ, … пшхынщ, умылажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ. 35. ЕгъэджакIуэр зэрытхэ сэху тыкъыр цIыкIу. 36. Бын. 37. Къуажэдэс унагъуэ къэс яIэ а хьэпшыпыр къызыхахыр щIэпырщ. 40. Лэскэн щIыналъэм хиубыдэ къущхьэ къуажэ. 41. Адыгэ макъамэм хуэщIа Iэмэпсымэ. 43. Махъсымэ къызыхащIыкI зэхэгъэва. 44. Ди лъэпкъэгъу щIалэм Европэпсо зэхьэзэхуэм … медаль къыщихьащ. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Гъатхэпэм и 16-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 5. Пыпхэ. 7. Шагъыр. 9. Джэд. 11. Къамбий. 12. Щхьэгуэш. 13. Пхъэпс. 15. Сибэч. 17. Мылыф. 18. Налкъут. 20. Жьыбгъэ. 21. Тахътэ. 25. ЕнтIыр. 26. Бохъшэ. 30. Шэрэдж. 32. ЩIыхьэху. 34. Амдэч. 35. Шыдыгу. 36. Пащты. 37. Щхьэпэ. 38. ШейтIан. 41. Сосмакъ. 43. Щиху. 44. ЯтIэкъуэ. 45. Къумахуэ. Къехыу: 1. ЩIыIуб. 2. Шхий. 3. Даущ. 4. КIытэ. 6. ШэтIэгъуэбл. 8. Капитан. 10. Къэбыстэ. 13. Псыжь. 14. Собэ. 16. Чэт. 17. Мет. 19. КъуанщIэ. 22. Ахъшэм. 23. КIыщ. 24. Тощ. 27. Хьэтыкъуей. 28. Тхьэгъэзит. 29. Къэлътмакъ. 31. Джэгу. 32. ЩIопщ. 33. Хуарэ. 34. Алъп. 39. ТIатIэ. 40. Ныкъуэ. 41.Самэ. 42. Сахуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26220.txt" }
НэхъыфIхэм хабжэ «УзэщIыныгъэмрэ творчествэмрэ» фIэщыгъэм щIэту екIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ зэпеуэхэм фIы и фIыжу зыкъыщагъэлъэгъуащ Псыкуэд дэт курыт школым и еджакIуэхэм. Абыхэм ящыщу 5-м бжьыпэр яубыдащ. ШколакIуэхэм зэхалъхьа проект нэхъыфIхэм хуэгъэпсауэ екIуэкIа зэпеуэм «Си лъэпкъым и къежьапIэ», «Псэущхьэхэр ди гъусэщ», «Си унагъуэм щызекIуэ хабзэхэр», «Си щIыналъэм къыдекIуэкIа IуэхущIафэхэр» унэтIыныгъэхэр иIащ. УанащIэ Алим (4-нэ кл.), Щоджэн Борис (4-нэ кл.), Шеринов Шерин (3-нэ кл.), Гъажэ Даринэ (10-нэ кл.), Жылэтеж Марьянэ (10-нэ кл.) сымэ я проектхэр нэхъыфI дыдэхэм хабжащ икIи щIыхь дипломхэр къыхуагъэфэщащ. Зэпеуэм гулъытэ щхьэхуэ щагъуэтащ цIыкIухэм къамылым къыхащIыкIа арджэнхэм. Сабийхэр апхуэдэ IэпщIэлъапщIагъэм хуезыгъэсар къуажэдэс нэхъыжь Сосмакъ Марьянэщ. ШЭРЭДЖ Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26226.txt" }
«ЩIэблэр бгъасэмэ — къыпхуэсакъынщ, бгъэсэхъумэ – лъабжьэкIэ уихьынщ» «Адыгэ псалъэ» газетым къыхилъхьауэ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щригъэкIуэкI «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэ-фестивалым и зи чэзу Iыхьэр йокIуэкI. Иджыблагъэ абы щыпащащ Прохладнэ куейм хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм и 2-нэ школым. Адыгэбзэмрэ хабзэмрэ я махуэшхуэм хуэдэу екIуэкIащ а школым и лэжьакIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ я зэфIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэр. Фестивалым и зэхэлъыкIэм мы гъэм зэхъуэкIыныгъэ мащIэ игъуэтащ. Псалъэм папщIэ, дерс зэIухахэм я пIэкIэ мастер-классхэр хагъэхьащ. Адыгэбзэр щрагъэдж пэшхэм, егъэджакIуэхэм я зэгухьэныгъэр зэрылажьэ планхэм я щытыкIэм кIэлъыплъын мурадхэри щIагъуащ хабзэ хъуауэ щыIа къэпщытэкIэм. Зэптий Татьянэ зи унафэщI еджапIэм егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхушхуэ зэрыщекIуэкIыр наIуэ ящIащ абы и егъэджакIуэхэм къэпщытакIуэ гупым и пащхьэ кърахьа лэжьыгъэхэм. Къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр щызыхуагъэувыжа, Iэмал гъэщIэгъуэнхэр къыщагъэсэбэпа мастер-классхэр къагъэлъэгъуащ Лу Маритэ, Вэрокъуэ Iэсият, Батыр Оксанэ, ЩIакIуэныкъуэ Залинэ, Гурдыгъуэ Маринэ, Мамхэгъ Заремэ, ПщыукI Ритэ сымэ. «ЩIэблэр бгъасэмэ — къыпхуэсакъынщ, бгъэсэхъумэ — лъабжьэкIэ уихьынщ» зыфIаща классщIыб лэжьыгъэм къызэщIиубыдэрт а адыгэ псалъэжьым и мыхьэнэ псор. Адыгэ хабзэм, нэмысым, анэдэлъхубзэм фIыуэ зэрыхащIыкIым и щIыхьэтт егъэджакIуэхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ ягъэува теплъэгъуэр. ЕджапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Шал Мартинэ и къэпсэлъэныгъэми къыхигъэщащ, къэпщытакIуэ гупми я нэгу щIэкIащ щIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным и хабзэщIэхэр къащтауэ, а хабзэхэм къагъэув IэмалыщIэхэм хуэкIуэу егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр зэраухуэр, абыхэм я дерсхэм технологиещIэхэр IэкIуэлъакIуэу къызэрыщагъэсэбэпыр. НыбжьыщIэхэм яхуэгъэза сыт хуэдэ фестивалми конкурсхэми я мурад нэхъыщхьэр щIэблэм я зэхэщIыкIыр нэхъ куу, я гупсысэкIэр нэхъ жан, я дуней тетыкIэр нэхъ дахэ щIынырщ. Къэрэгъэш къуажэм и 2-нэ курыт еджапIэм щекIуэкI лэжьыгъэр хуэгъэзащ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа мурадхэм икIи хъарзынэу ахэр къазэрехъулIэм шэч хэлъкъым. ЩОДЖЭН Iэминат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26228.txt" }
«Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» Аращ КъБКъУ-м и физико-математикэ факультетым утыку къыщрахьа фильмым зэреджэр. Ар теухуащ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа щIалэмрэ хъыджэбзымрэ яку къыдэхъуа лъагъуныгъэм. Фильмым и сценарийр зэхэзылъхьар абы лIыхъужь нэхъыщхьэу хэт ди хэкуэгъу уэрэджыIакIуэ, усакIуэ икIи композитор Жэман Аминэщ. Абы и гъусэ роль нэхъыщхьэр егъэзащIэ Албанием щыщ Дзани Шпенд. Продюсерыр Бэлэтокъуэ Маринэщ, режиссерыр Канадэм щыщ Курти Полщ. Фильмыр къытращIыкIащ гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэм. Ар зытеухуар адыгэ пщащэмрэ албан щIалэмрэ яку къыдэхъуа лъагъуныгъэ къабзэрщ. Хъыджэбзым и унагъуэм захъунщIами, ар щIалэм дэкIуэным арэзы техъуащ. Ауэ католик диным ит унагъуэр акъылэгъу хъуакъым я щIалэм щхьэгъусэу къыхиха муслъымэн хъы-джэбзыр къишэнымкIэ. Абы и щхьэусыгъуэри я бынхэр щIэпхъаджащIэу къэхъункIэ зэрышынэрт. Иужьым щIалэр хъыджэбзым елъэIужа щхьэкIэ, мыдрейм псэгъу къыхуэхъун идэжакъым. Адыгэ хъыджэбзым къыгурыIуэжащ нэгъуэщI дин зезыхьэ, хамэ лъэпкъым щыщ щIалэм насыпыфIэ зэрыдэмыхъунур, и адэ-анэм пщIэ къызэрыхуамыщIынур. Жэман Аминэ фильмым щоджэгу. Аминэ сценарийр щитхым нэхъыбэу зыхущIэкъуар адыгэ, албан лъэпкъ цIыкIухэр дуней псом къыщегъэцIыхунырщ. Апхуэдэуи и лэжьыгъэм къыхигъэщащ муслъымэн хъыджэбзхэм щIэныгъэрэ зэфIэкIрэ зэрабгъэдэлъыр, ауэ нэгъуэщI дин зезыхьэ, хамэ лъэпкъым щыщ щIалэхэм лъагъуныгъэ щыхуащIи, унагъуэ щыдаухуи къызэрыхъур, абы Iуэхугъуэ мыщхьэпэхэр къызэрырикIуэр, нэгъуэщIхэри. Фильмыр Налшык щагъэлъэгъуэнымкIэ къадэIэпыкъуа банкирхэу Ажахъуэ Къанщобийрэ Дуев Сергейрэ Аминэ фIыщIэ яхуищIа нэужь, зэхуэсахэм яригъэцIыхуащ презентацэм зыкърезыгъэхьэлIа, фильмым Эдуардэ и ролыр щызыгъэзэщIа, Нью-Йорк щыщ Юджети Луан. Фильмыр зэрекIуэкIар инджылызыбзэщ. ИужькIэ ар урысыбзэкIэ зэрадзэкIыну я мурадщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фильмыр Нью-Йоркрэ Москварэ зэрыщагъэлъэгъуар икIи куэдым ягу зэрырихьар. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26231.txt" }
Лермонтовыр адыгэбзэкIэ мэпсалъэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием хэт «Адыгэ ЩIэнгъуазэ» институтымрэ «Тетраграф» ООО-мрэ зэгъусэу яубла «Черкесика» къыдэкIыгъуэм хыхьэу Лермонтов Михаил и «Кавказ поэмэхэр» тхылъыр мы махуэхэм дунейм къытехьащ. Абы и япэ тхылъыр, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэу щыта Къалмыкъ Юрэ теухуар, 2011 гъэм къыдэкIауэ щытащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 1994 гъэм Республикэ полиграфкомбинатым хэта «Эль-Фа» тхылъ тедзапIэм иублауэ щытащ «КЛИО» къыдэкIыгъуэр. А серием хыхьэу тхылъ 64-рэ дунейм къытехьауэ щытащ, абы щыщу 11-р къидигъэкIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. «Адыгэ ЩIэнгъуазэ» институтым и унафэщI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыщыхилъхьэри, ЩIДАА-м и президиумым и зэхуэсхэм ящыщ зым «Черкесика» къыдэкIыгъуэр (сериер) ягъэхьэзырыну зэгурыIуащ. «Черкесика» къыдэкIыгъуэм къызэщIиубыдэну тхылъхэр икъукIэ щхьэпэ яхуэхъунущ адыгэхэм я тхыдэр, щэнхабзэр, IуэрыIуатэр, бзэр, хабзэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэм, къапщтэмэ, абыхэм я псэукIэр зыхуэдэм нэхъ куууэ зыщызыгъэгъуэзэну хуей псоми, — жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. — Мыбы хыхьэ тхылъхэр щIэнгъуазэ пэлъытэ хъунущ, дэтхэнэми и щIэныгъэм хагъэхъуэнущ, я къэухьым зрагъэужьынущ, ди лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм теухуа хъыбар пэжыр къыщащIэнущ, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэр-джэс, Адыгэ республикэхэм исхэм я псэукIэм нэхъ куууэ хагъэгъуэзэнущ; тенджыз ФIыцIэ Iуфэм, Мэздэгу, Краснодар куейм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ гъэщIэгъуэн гуэрхэри къибгъуэтэнущ абыхэм. Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Иракым, США-м, Канадэм, Мысырым, Суданым, Ливием, Тыркумэным, Австралием, европей къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я дунейр къытхузэIузых, абыхэм я гъащIэм дыхэзышэ тхылъхэри хохьэ «Черкесика» къыдэкIыгъуэм. Абы гулъытэшхуэ щыхуэтщIащ лIэщIыгъуэхэр зи ныбжь урыс-адыгэ зэныбжьэгъугъэ быдэм, 1763-1864 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм и тхыдэм. Тхылъ щхьэхуэхэр тедухуэнущ тхыдэ, зауэ, политикэ, щIэныгъэ, спорт, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэлэжьыхьа цIыху щэджащэхэм я гъащIэм. ЖыпIэнурамэ, мы къыдэкIыгъуэм, зэрыхъукIэ, къызэщIедгъэубыдэну дыхэтащ адыгэ гъащIэр икIи ар къыдэхъулIауэ къызолъытэ. «Черкесика» къыдэкIыгъуэм хыхьэу дунейм къытехьэну тхылъи 150-р я жыпхъэкIи ахэр зытеухуауэ щытыну IуэхугъуэкIи убзыхуащ. Абыхэм ихуэну тхыгъэхэр щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм ягъэхьэзыращ. «Черкесика»-м и редактор нэхъыщхьэр ЩIДАА-м и академик ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ. Редакцэм и коллегием хэтщ филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и вице-президент, КъШР-м и ТхакIуэхэм я союзым и гуащэ Бэчыжь Лейлэ, тхакIуэ, «Звезда» журналым и редактор нэхъыщхьэ, ЩIДАА-м и академик Гордин Яков, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, ДАХ-м и саугъэтым и лауреат, ТворчествэмкIэ дунейпсо академием и академик Горлов Михаил, философие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, прозаик Къандур Мухьэдин, литературэдж, КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым и тхьэмадэ КхъуэIуфэ Хьэчим, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Куценкэ Игорь, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Адыгэ Республикэм и ТхакIуэхэм я союзым и тхьэмадэ МэшбащIэ Исхьэкъ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Германиемрэ Тыркумрэ я литературэ саугъэтхэм я лауреат, прозаик, драматург Онер Четин, социологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, Адыгэ къэрал университетым и ректор Хъунэгу Рашид, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик КIыргъ Iэсхьэд, ДАХ-м и саугъэтым и лауреат, ЩIДАА-м щIыхь зиIэ и академик Шакъ Елбэрд, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Щоджэн Iэсхьэд сымэ. «Черкесика»-м и ещанэ тхылъым итынущ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ», Лохвицкий Михаил и «Уафэгъуагъуэ макъ» тхыгъэхэр. Апхуэдэу дунейм къытехьэнущ Чуякъуэ Инус и романхэмрэ повестхэмрэ, Урыс — Кавказ зауэм теухуа архив дэфтэрхэр щызэхуэхьэсыжа, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я таурыхъ нэхъыфIхэр къыщызэщIэкъуэжа къыдэкIыгъуэхэр, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я тхыгъэ къыхэхахэр зэрыт «Хуитыныгъэм и жэщ» тхылъыр, нэгъуэщIхэри. КъыдэкIыгъуэм нэхъ гъэщIэгъуэну хэтыну тхылъхэм ящыщщ Урыс-Кавказ зауэм теухуауэ а зэманым хамэ къэрал щыщ щIэныгъэлIхэм, зауэ тхыдэджхэм, дипломатхэм ятхахэр иту дунейм къытехьэну томищыр. Абы нэмыщI къыдэкIынущ а зауэм теухуауэ урыс щIэныгъэлIхэм я Iуэху еплъыкIэхэр къыщыгъэлъэгъуэжа тхылъищ. Адыгэхэм Урыс-Кавказ зауэм тратхыхьахэр томитхум щызэхуэхьэсыжауэ щытынущ. «Черкесика»-м и етIуанэ къыдэкIыгъуэу дунейм къытехьа «Кавказ поэмэхэр» тхылъым итщ урыс тхакIуэшхуэ Лермонтов Михаил и IэдакъэщIэкIхэр. Ар урыс усакIуэшхуэр къызэралъхурэ илъэс 200 зэрырикъум (2014 гъэм жэпуэгъуэм и 15) хуэгъэпсауэ къыдагъэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Лермонтовым итха поэми 9-м щыщу 8-р адыгэхэм триухуащ. Мы усакIуэм шэрджэсхэм ятриухуа тхыгъэм хуэдиз зи къалэмыпэм къыщIэкIа нэгъуэщI зы лъэпкъми къахэкIакъым. Лермонтов Михаил и поэмэхэр урысыбзэкIи адыгэбзэкIи мы тхылъым ихуащ. Ахэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, республикэм и цIыхубэ усакIуэ Ацкъан Русланщ. Тхылъыр сурэтхэмкIэ дахэу, екIуу игъэщIэрэщIащ сурэтыщI Горлов Михаил. НапэкIуэцI 500-м щIигъу тхылъым и дэтхэнэ нэкIубгъуэми и лъабжьэм «зыщауфэбгъуащ» Кавказым и бгы уардэхэм, и губгъуэ хуитхэм. Абы къищынэмыщIауэ, Лермонтовым и Кавказ поэмибгъум лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм я сурэтыщIхэм хуащIа псори мы тхылъым къыщызэщIикъуэжащ Горлов Михаил. Нобэр къыздэсым Лермонтовым и IэдакъэщIэкIхэр джыным теухуауэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм апхуэдэ ущрихьэлIэркъым. Абы къыхэкIыу тхылъыр зыгъэхьэзырахэм я дежкIэ ар ехъулIэныгъэшхуэщ. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26238.txt" }
Гукъыдэжыр къэзыIэтхэр Щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэр гъэлъэпIэныр къыхэзылъхьар, ар федеральнэ махуэшхуэ щIын хуейуэ япэу жызыIар УФ-м щэнхабзэмкIэ и министру щыта Соколов Александрщ. 2007 гъэм и гъатхэпэм зэIущIэ иригъэкIуэкIыу абы къыхигъэщауэ щытащ щэнхабзэм и къудамэ хэхахэм ехьэлIа махуэхэр (Фэеплъхэр хъумэным и махуэр, Театрым и махуэр, Печатым и махуэр, н.) ягъэлъапIэми, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм щылажьэхэми щхьэхуэу гулъытэ яхуэщIын зэрыхуейр. Щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэр гъатхэпэм и 25-м гъэлъэпIэным теухуа унафэм 2007 гъэм шыщхьэIум и 27-м Iэ щIидзауэ щытащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир. Темыркъан Юрэ Къардэн Хьэсэн Токъуий Хъусен Гъэсашэ Наталье Щэнхабзэм зиужьыныр елъытащ къэралым абы хуищI гулъытэм, ахъшэу а Iуэхум хухихым. IэщIагъэлI нэсхэр гъэхьэзырыныр, абыхэм мылъкукIэ защIэгъэкъуэныр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр къэралым зэпымыууэ и нэIэ зытригъэтыпхъэщ, сыту жыпIэмэ щэнхабзэр цIыхум зезыгъэужь Iэмал нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Ульбашев Мутай ТIыхъужь Алий ДыщэкI КIунэ Хэт щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр? Кином, гъуазджэм, тхыдэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми зи гъащIэр тезыухуахэрщ. Урысейм и щIыналъэ псоми гъатхэпэм и 25-м щагъэлъапIэ ахэр: щIыхь тхылъхэр, цIэ лъапIэхэр, нэгъуэщI саугъэтхэр зыхуагъэфэщахэм ахэр щратыж пшыхьхэр къызэрагъэпэщ, нэгузыужь программэхэр хузэхалъхьэри, абыхэм я гукъыдэжыр къаIэт. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къулейщ ди щэнхабзэр утыкушхуэм изыхьэфа цIыху цIэрыIуэхэмкIэ. Абыхэм щэнхабзэм, гъуазджэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм ди къэралым гулъытэ къыщыхуащIащ, цIэ лъапIэхэмкIи ягъэпажащ. РСФСР-м и цIыхубэ артистщ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым и актеру щытахэу Токъуий Хъусен, ТIыхъужь Алий, ДыщэкI КIунэ, Сонэ Мухьэрбий сымэ, пшынауэ Iэзэ Къашыргъэ КIурацэ, балъкъэр артист Кучуков Магомед, уэрэджыIакIуэ Гъэсашэ Наталье, «СССР-м и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр зэрехьэ дирижер гъуэзэджэ Темыркъан Юрэ, УФ-м и цIыхубэ артистщ композиторхэу Къардэн Хьэсэнрэ Темыркъан Борисрэ, уэрэджыIакIуэ Тут Заур (апхуэдэуи КъБР-м, КъШР-м, АР-м я цIыхубэ артистщ), балетмейстер Ульбашев Мутай. Сонэ Мухьэрбий Темыркъан Борис Тут Заур УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэхэщ актёр Болэ Мурат, композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил, режиссерхэу Теувэж СулътIанрэ Фырэ Русланрэ, драматург Шортэн Аскэрбий, ди къэралым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьа-кIуэщ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым и унафэщI Вэрокъуэ Владимир. «УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI» цIэ лъапIэр зэрехьэ Пащты Герман, РСФСР-м щIыхь зиIэ и художникщ ТхьэкIумашэ Михаил, Абей Викторрэ КIыщ Мухьэдинрэ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщIщ. УФ-м щIыхь зиIэ и артистхэщ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкур илъэс куэдкIэ зыгъэбжьыфIа Мысостышхуэ Пщызэбий (Абхъазми и цIыхубэ артистщ), ЖьакIэмыхъу КIунэ (ар икIи КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреатщ), Балъкъыз Валерэ, Шыбзыхъуэ Басир, уэрэджыIакIуэхэу Хъупсырджэн Албэч, Батыр Мухьэдин, Ташло Алий, Дау Марианнэ. КъБР-м и цIыхубэ артистхэщ Мэшыкъуэ Феня, Щэрмэт Людмилэ, Къэжэр Борис, Бесчокъуэ Майе, Думэныщ Iэулэдин, республикиплIым — КъБР-м, КъШР-м, АР-м, ИР-м — я цIыхубэ артистщ Нэхущ Чэрим, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгей, Ингуш республикэхэм я цIыхубэ артисткэщ Сокъур Ольгэ. Щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэ къэс мыбыхэм къахэхъуэну, я щIыхьыцIэхэр бэгъуэну ди гуапэщ. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26240.txt" }
Ван Дейкрэ Жеромрэ я сурэтхэр СурэтыщI цIэрыIуэ куэдым я IэдакъэщIэкIхэм щагъэлъэпIащ адыгэ пщащэхэм я теплъэ дахэр. Абыхэм ящыщщ Фламандием щыщ сурэтыщI Ван Дейк Антониси (1599 — 1641). Европей щэнхабзэм зи цIэ фIыкIэ щыIуа Рубенс Питер и гъэсэныр щылэжьащ Италиеми Инджылызми. Ван Дейк и IэдакъэщIэкIхэр плъыфабэщ, зи теплъэ ищI цIыхухэм я гум щыщIэр я нэгу къищу къегъэлъэгъуэф. Ван Дейк и лэжьыгъэ нэхъыфIхэм ящыщщ адыгэ пщащэ Элизабет-Терезие (1589 гъэ) и сурэтыр. Ар лорд Ширли Роберт и щхьэгъусэщ, Абасс I къэжэр хъаным и деж къулыкъу щызыщIа адыгэ дзэзешэ Искаон Сэмпсэф ипхъущ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, сурэтыщI цIэрыIуэр Ширлихэ я унагъуэм щыIущIар Генуе къалэрщ. Ширли Роберт хамэ къэрал Iуэхухэр зезыгъакIуэ инджылыз политик лэжьакIуэ цIэрыIуэт, ар мызэ-мытIэу Ираным щыIащ, абы щызригъэцIыхуащ щхьэгъусэ хуэхъуа шэрджэс пщащэр. Жан-Леон Жером (1824 — 1904) франджы сурэтыщIщ икIи скульпторщ. КъуэкIыпIэ теплъэгъуэхэр къыщыгъэлъэгъуэжа абы и IэдакъэщIэкIхэм лъабжьэ яхуэхъуащ Египетым мызэ-мытIэу зэрыщыIар. Мысырым теухуа сурэтхэм Жером цIэрыIуэ ящIащ икIи гъуазджэм езым и лъагъуэ щыхишыжынымкIэ абыхэм мыхьэнэшхуэ ягъэзэщIащ. Жан-Леон Жером и IэдакъэщIэкI цIэрыIуэхэм ящыщщ 1876 гъэм абы ищIа «Щхьэтепхъуэ къызэпхъуха шэрджэс пщащэ» сурэтыр. ГъукIакъуэ Идар. Прагэ къалэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26253.txt" }
Баллдырэ и борэн, е Бэдрэжуз — жэмыжьгъэгыз Мы тхыгъэм сэ и гугъу щысщIынущ академики профессори зыхэмыта адыгэ мэкъумэшыщIэхэм илъэсым и IыхьиплIми, и дэтхэнэ мазэми, дунейм и къэхъукъащIэхэр блэкIа зэманым и дерсхэмкIэ, нэщэнэхэмкIэ, гъэм и сыт хуэдэ лэжьыгъэми, Iуэхугъуэми акъыл хэлъу, IэкIуэлъакIуэу бгъэдыхьэфу, ягъэзэщIэфу зэрыщытам. Сэри ахэр ди лъэпкъым, нэгъуэщI лъэпкъхэм я тхьэмадэ, ныбжьыщIэ, цIыхубз акъылыфIэхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэу щытахэу ди япэ итахэм къаIуэтэжахэм, езыхэм я нэгу щIэкIауэ жаIэжахэм къыхэсха зэчийщ. Сэ япэу и гугъу фхуэсщIынущ Баллдырэ и борэным (адыгэхэр абы зэреджэр бэдрэжузщ), ар зищIысымрэ нэгъуей хэкум абы ехьэлIауэ къыщыхъугъамрэ. Ар щIымахуэм и иужьрей дыдэ махуиплIымрэ гъатхэм и япэрей махуищымрэ къэхъу хабзэ борэнщ. Ар иужьрей бжэкIэмкIэ гъатхэпэм (мартым) и 19 — 25-хэращ, жэщибл-махуибл мэхъу. АтIэ, а Баллдырэ и борэныр 1601 гъэм Нэгъуей хэкум икъукIэ гуащIэу къыхуэкIуат. А гъэм гъэмахуэр зэрикIыу, щIыIэхуэкIуэ щыхъум, щIы щIагъым гъуэ щызиIэу щыпсэу дзыгъуэхэм я псэупIэр ябгынащ, нэгъуэщI егъэзыпIэ къызэрагъэпэщащ. Абыхэм я гъуэхэр щаухуэрт мэкъу, хьэуазэ, пыпхъуэ лъабжьэхэм, губгъуэм къыщыкI удзыжь нэхъ лъабжьэ быдэ зиIэхэм я зэхуакум. Дуней и пIалъэ зыщIэ, абы и нэщэнэхэм щыгъуазэхэм къагурыIуащ 1602 гъэм и щIымахуэм борэн гуащIэ къызэрыхъунум. МэкъумэшыщIэ махуэгъэпсымкIэ (кIэлындарымкIэ) псэухэм щIымахуэм зыхуащIащ. Емыгугъуахэм мэкъумылэр къаймэщIэкIащ. Нэгъуейхэр Iэщ куэд зезыхуэ лъэпкъщ, абыхэм ящыщ зыбжанэм я былымыр яшхын зэрамыIэм, щIыIэм икIуэдыкIащ. Уеблэмэ жаIэж, нэгъуеипщым, былым куэдыIуэ зиIэм, и мэкъумылэр къемэщIэкIауэ а борэныр къытехъуауэ. Пщым хэкур и кIыхьагъкIи и бгъуагъкIи къызэхикIухьащ, мэкъумылэ щэн зиIэ лъыхъуэу. Ауэ мэкъуи, хьэуази, мэш гъупщи ищэну зиIэ имыгъуэтауэ екIуэлIэжащ. Къуажэпщым ищIэрт МухьэмэдкIэ зэджэ я къуажэ щIалэр гъэтIылъыгъэкIэ зэрымыбэлэрыгъыр. ИкIи пщым лIыкIуэ абы и деж егъакIуэ. Пэжу, Мухьэмэд и чэзум мэкъу куэд игъэхьэзырырт. И Iэщхэм щIымахуэм къадэхуэр екIуу зэщIибгъэжырти, гъэ иригъажьэрт. Уеблэмэ абы иIэт илъэси 9 — 10 зи ныбжь пыпхъуэ зэщIэбгъэжахэр. Ауэ лIыкIуэм сыт имыщIами, Мухьэмэд гурыIуакъым мэкъу кърищэну. Жэуапу къритар зыщ: «Ахъши, дыщи, былыми — зыри сыхуейкъым. Мэкъум и уасэр пщым и пхъуращ». Пщыр абыкIэ арэзы хъуакъым. ТIэкIурэ гупсыса иужь, пщым ахъшэу, дыщэу иIэр зэщIикъуэри унэм къыщIихащ икIи Iэщыр зэрыт Iуэм ихьащ. Пщым щIиха мылъку псори и былымхэм ятридзэну арат. И щхьэр здихьынур зымыщIэ, гупсысэ куум хэхуа и адэм абы ипхъу Баллдырэ кIэлъыкIуащ. — Ди адэ, — жиIащ абы, — мы Iэщым и бэлыхьымрэ и хьэзабымрэ уэри сэри гъуэгу къыдатынкъым. Сет Мухьэмэд, мэкъур уасэу къеIыхи. Ар егъэшхи, уи былымыр гъейм къегъэл. Адэр едэIуащ ипхъу губзыгъэм. Дэтхэнэми метр 20 и кIыхьагъыу мэкъу пыпхъуищ къыIихри, Баллдырэ дахэр абы иритащ. А мэкъум къригъэлащ пщым и былымыр. Къуажэдэс мэкъумылэншэ хъуа унагъуэхэм я Iэщри, Мухьэмэд, мэкъу псапэу яритри, къахузэтригъэнащ. А псори я фIыщIэщ мэкъумэшыщIэ махуэгъэпсым ирипсэу, гъэм и щытыкIэну нэщэнэхэм хилъагъуэм теухуауэ гъэтIылъыгъэ зыщIа Мухьэмэд, бэлыхьымрэ хьэзабымрэ къызыгурыIуа цIыхубз губзыгъэ Баллдырэ дахэ сымэ. Лъэпкъхэм псалъэжь Iущхэр яIэщ. Нэгъуейхэм жаIэ: «Ади кIуэ, мыди кIуэ, ауэ Баллдырэ и борэным унэм кIуэж». МэкъумэшыщIэхэмрэ Iэщыхъуэхэмрэ зэрыбжэу щыта махуэгъэпсымкIэ илъэсыр мазэ пщыкIутI, махуэ 365-рэ мэхъу. Илъэсыр IыхьиплIу гуэшащ: гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ лъэхъэнэхэу. Гъатхэ. Ар махуэ 92-рэ мэхъу. Гъатхэр къохьэ гъатхэпэм (мартым) и 23-м. Абы хеубыдэ гъатхэпэм щыщу махуи 9, мэлыжьыхьыр (апрелыр) — махуэ щэщI, накъыгъэр (майр) — махуэ 31-рэ, мэкъуауэгъуэм (июным) щыщу махуэ 22-рэ. МэкъумэшыщIэр иужь итт гъатхэм мыбэлэрыгъыным. Ижь-ижьыж лъандэрэ жаIэ: «Гъатхэ махуэ гъэ егъашхэ», «ГъатхэфIрэ гъэлъхуэфIрэ Тхьэм къывит», «Бэдрэжуз — жэмыжьгъэгыз». Адыгэхэм щхьэж зыщыпсэу щIыналъэм езэгъыу, дэтхэнэ зи чэзу Iуэхур щегъэкIуэкIын хуейм теухуа махуэгъэпси яIэу щытащ. Псалъэм папщIэ, дэтхэнэ мэкъумэш къэкIыгъэри щытесэн хуей, вакIуэ дэкIыгъуэ, мэкъуауэгъуэ зэманхэм ехьэлIауэ. Апхуэдэу шыбз хакIуапщIэ къыщызэрагъэпэщ, мэл хъубжэм тIы, жэмхэм гуу щыхагъэхьэ лъэхъэнэхэри гъэунэхуауэ яIэт. Гъэмахуэм и махуэгъэпсыр. Гъэмахуэр мэкъуауэгъуэм и 23-м къохьэ. А махуэм и жэщыр илъэс псом жэщу хэтым я нэхъ кIэщIщ — адыгэхэр абы «шэмыгъапцIэ жэщкIэ» йоджэ. Гъэмахуэр псори зэхэту махуэ 92-рэ мэхъу. Абыхэм хохьэ мэкъуауэгъуэ мазэм щыщу махуи 8, бадзэуэгъуэ (июль) мазэм щыщу махуэ 31-рэ, шыщхьэIу (август) мазэм щыщу махуэ 31-рэ, фокIадэм (сентябрь) мазэм щыщу махуэ 22-рэ. Гъэмахуэр мэкъумэш лэжьыгъэхэм щигуащIэгъуэ лъэхъэнэщ. Хьэсэхэр, пщIанэхэр къабзэу зехьэн хуейщ. Абы и закъуэкъым, атIэ къэкIыгъэхэм я бий псоми — хьэпIацIэхэм, узхэм ебэнын хуейщ. Зи гугъу сщIахэр и чэзум тэмэму зэфIумыгъэкIмэ, «пфIахьэхуауэ» аращ. Ахэр псори тэрэз пщIырэ — Алыхьталэм мэкъумэшыр къуипэсащ — «къэпхьэхуащ». Гъэмахуэ махуэ 92-р мы къэкIуэнум хуэдэу гуэшащ (адыгэ мэкъумэшыщIэ кIэлындарымкIэ): бадзэуэгъуэм и 17-м гъэмахуэ шылэр къохьэ — ар махуэ 40 мэхъу, шыщхьэIум и 22-м еух. Абы и ужькIэ иджыри фокIадэм и 22 пщIондэ гъэмахуэщ. Бжьыхьэ. Мы лъэхъэнэри мэкъумэшыщIэм и зэман нэхъ хьэлъэ дыдэхэм ящыщщ. Гъэ псом къагъэкIар, къагъэхъуар къыщрахьэлIэж мазэхэщ. Ари махуэ 91-рэ мэхъу. Абы хохьэ фокIадэм (сентябрым) щыщу махуи 8, жэпуэгъуэр (октябрыр) зэрыщыту, махуэ 31-рэ, щэкIуэгъуэр (ноябрыр) зэрыщыту, махуэ 30, дыгъэгъазэм (декабрым) щыщу махуэ 22-рэ. БжьыхьэкIэ мазэхэм къэхъу щIыIэм, къех жэп гуащIэм къэкIыгъэхэм ящыщу кIэртIофыр, хадэхэкIхэу помидорыр, къэбыстэр, бжьыныр, нэгъуэщIхэри къегъэлыным хуэсакъын хуейщ. АдэкIэ къокIуэ щIымахуэр — махуэ 90 хъур. Абы хохьэ дыгъэгъазэм щыщу махуи 9, щIышылэ (январь) мазэр зэрыщыту, махуэ 31-рэ, мазаер (февралыр) — махуэ 28, 29-рэ хъууэ, гъатхэпэ (март) мазэм щыщу махуэ 22-рэ. ЩIымахуэ шылэр къохьэ щIышылэм и 17-м. щIымахуэ шылэр махуэ 40 мэхъу. Ар еух мазаем (февралым) и 23-м. Абы и ужькIэ аргуэру махуэ 25-кIэ щIымахуэу щытщ. ИщхьэмкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуам хуэдэу зэхэлъщ адыгэ мэкъумэшыщIэм и илъэс махуэгъэпсыр. Сэ къызолъытэ ар акъыл хэлъу зэхэлъхьа хъуауэ. Гъэр къызэрыкIуэм, дунейм и щытыкIэм елъытауэ адыгэ мэкъумэшыщIэхэм я лэжьыгъэр зэтраухуэрти, я Iуэхур тэмэму къайхъулIэрт. КъайхъулIэрт, сыт хуэдэ гъэми и шыфIэлIыфэм, и къэкIуэкIэм елъытауэ мэкъумэшыр ящIэрти, Iэщыр зэрахьэрти. Абыхэм я гъащIэ псор «щIэщIауэ» яхьырт, зыгуэрым темыплъэкъукIын папщIэ. Си гугъэщ адыгэ мэкъумэшыщIэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкIа махуэгъэпсыр ноби гъавэ зыщIэхэм, Iэщ зыгъэхъухэм щхьэпэ яхуэхъуну. Ахэр IуэрыIуатэу ди деж къэзыхьэса, ищхьэмкIэ зи гугъу фхуэтщIа лIыжь губзыгъэхэм Тхьэ сахуолъэIу я гуэныхьыр къахуигъэгъуну, жэнэтыр унапIэ яхуищIыну. ХЬЭФIЫЦIЭ Мусэбий. 2002 гъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26258.txt" }
Зеикъуэ щIыхь зиIэ и цIыху КъызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ, лэжьакIуэ емызэшыж, Зеикъуэ къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху, хъыбарыжь куэд зыщIэ, ахэр жьакIуэу къэзыIуэтэж ХьэфIыцIэ Мусэбий 1923 гъэм гъатхэпэм и 23-м Зеикъуэ адыгэ жылэжьым дэс бынунагъуэшхуэ хуэщIам къыщалъхуащ. ХьэфIыцIэ Дэвей и унагъуэм бын ебгъуанэу къихъуат Мусэбий. Къыхэгъэщыпхъэщ Дэвей мэкъумэшхэкIхэр хъарзынэу къехъулIэу, хъер къыпихыу зэрыщытар, хуэныкъуэхэм сыт щыгъуи защIигъакъуэу, тхьэмыщкIэхэм ядэIэпыкъуу къызэрекIуэкIар. Мусэбии, и адэм ещхьу, пасэу дихьэхащ и гъащIэм щыщу лIэщIыгъуэ ныкъуэр зыхуигъэпса мэкъумэш лэжьыгъэм. ХьэфIыцIэ Мусэбий Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщеплъыхь. Абы и гъусэщ Тыркум щыщ уэрэдус АфэщIыж Iэминрэ и къуэ Мухьэмэдрэ. Мусэбий бгъэдэтыр и пхъурылъху Шурдым Анзор цIыкIущ. 1981 гъэ, шыщхьэIу мазэ Зеикъуэ дэт курыт школым 1931 — 1940 гъэхэм щеджащ Мусэбий. А зэманыр игу къыщигъэкIыжым деж ХьэфIыцIэм жиIэрт: «Дэ дезыгъэджахэр щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ, акъыл жан зыбгъэдэлъ, зи IэнатIэм ткIийуэ бгъэдэт цIыху интеллигентхэт. Хэкум къыщIэхъуэ щIэблэр егъэджэныр къэралпсо къалэну уват а лъэхъэнэми, тхылъхэми, дэфтэрхэми, егъэджэныгъэм къыщагъэсэбэп нэгъуэщI хьэпшыпхэми дрикъурт». Мусэбий класси 9-р къиуха нэужь, Кировым и цIэр зэрихьэу и къуажэжь дэт колхозым и 6-нэ губгъуэ лэжьакIуэ бригадэм яхыхьащ. ЩIыр ивэрт, жылэр трисэрт, къэкIахэм якIэлъыплъырт, гъавэр кърихьэлIэжырт. Абы сытым дежи и гуапэу игу къигъэкIыжырт а зэманым гъуазэ хуэхъуа, гъащIэм, колхоз лэжьыгъэм хуэзыгъэIущахэу Шурдым Хъусин, Джэдгъэф ХьэматI, Къэрэнашэ Темыр сымэ, нэгъуэщIхэри. … Хэку зауэшхуэр екIуэкIырт. ЛIыжь-фызыжьхэм, цIыхубзхэм, сабийхэм я ныбэ изу яшхын ягъуэтыртэкъым, я жейр ныкъуэт, ауэ жэщ-махуэ ямыIэу губгъуэм итт. Зы махуэр къалэжьа нэужь, нартыху килограмми 2 — 3, кIэртIоф килограммрэ ныкъуэрэ, сэхуран килограмм ныкъуэ кърату арат. Абы цIыхухэр игъэмэжалIэртэкъым, зэман гугъум къришырт. Мис а лъэхъэнэ хьэлъэ дыдэм щыгъуэ Мусэбий колхозым и комсомол зэгухьэныгъэм и секретару, артелым и къэзыпщытэ гупым и Iэтащхьэу ягъэув. Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ а IэнатIэхэм ХьэфIыцIэм зыкъыщигъэлъэгъуащ лэжьакIуэ пэжу икIи колхоз мылъкум темыплъэкъукIыу хуэсакъащ. А зэман мащIэм къриубыдэу (1943 — 1945 гъгъ.) ХьэфIыцIэ Мусэбий зи пашэ комсомолым хэтхэмрэ къуажэ щIалэгъуалэмрэ сэбэпынагъ куэд ялэжьащ. Губгъуэм ита бригадэ 12-м нартыху, кIэртIоф, гъавэ бэгъуа кърахьэлIэжащ. Апхуэдэу, 1944 гъэм колхозхэтхэм сом мини 132-рэ зэхуахьэсри, Дзэ Плъыжьым и зауэлIхэм папщIэ фондым ягъэкIуауэ щытащ. 1946 гъэм къуажэдэс щIалэгъуалэм республикэм ис ныбжьыщIэхэм зыхуагъэзауэ щытащ гъавэ бэв къехьэлIэжыным, мэкъумэшхэкIхэр ягъэбэгъуэным, былым гъэхъуным зегъэужьыным къыхураджэу. ХьэфIыцIэ Мусэбий игу къигъэкIыжырт: «Хэку зауэшхуэм щыщIидзагъащIэм ди колхозым и тхьэмадэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд и жэрдэмкIэ, зауэр иухмэ къратыжыну гурыIуэри, Дзэ Плъыжьым папщIэ былымыл тонн 4000, ди шыхэр щIыгъуу яритауэ щытащ. А псори, зэрызэгурыIуам тету, зауэ нэужь илъэситхум къриубыдэу къыдатыжащ. Абы и фIыгъэкIэ зауэр къэмыхъей щIыкIэ колхозым иIа мылъкур 1950 гъэм зэгъэпэщыжа хъуат. Пэжщ, шыуэ 2500-рэ диIамэ, зауэ нэужьым къытхуэнауэ щытар 800-т». Хэку зауэшхуэм и ужькIэ илъэс 12-кIэ Мусэбий и унафэщIу щытащ Зеикъуэ къуажэ советым. Мис а IэнатIэм къыщигъэлъэгъуащ Мусэбий лэжьыгъэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэри, къызэгъэпэщыныгъэ Iуэхум зэрыхуэIэрыхуэри: жылэм дэт IуэхущIапIэхэми унэхэми я теплъэр ефIэкIуащ, уэрамхэм узыщрихьэлIэ пхъэнкIиймрэ удзыжьхэмрэ иригъэгъэкъэбзащ, гъуэгухэри лъэмыжхэри зыхуей хуигъэзащ, дэфтэр Iуэхухэр къызыхуэтыншэу зэтриублащ, курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ къыдэкIуэтей щIэблэм я дежкIэ тыншыпIэ хъуащ. Жэуаплыныгъэ ин зыпылъ а къалэнхэр жыджэру зэрызэфIихым щхьэкIэ абы къыхуагъэфэщауэ щытащ Министрхэм я Советымрэ Мэкъумэш IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзымрэ я Бэракъ Плъыжь зэIэпахыр… Колхозым игъэзэжа нэужь, ехъулIэныгъэхэр иIэу губгъуэ лэжьакIуэ бригадэхэм я Iэтащхьэу илъэс 15-кIэ щытащ Мусэбий. Колхозхэтхэм пщIэшхуэ къыхуащIырт абы. Зыми хуэмыдэжу цIыхухэр зэхищIыкIырт, псалъэкIэ мыхъуу, и гум щыщIэр къищIэнурэ, и Iуэхур зэрыхудигъэкIыным гурэ псэкIэ пылъынут. Губгъуэм щекIуэкI сыт хуэдэ лэжьыгъэми хэзагъэрт ХьэфIыцIэр, абы къыхэкIкIэ, хуей хъумэ, лэжьакIуэхэр зэрихъуэкIыфырт. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр цIыхухэм нэхъ къагурыIуэрт, жьэрыIуатэу яжепIэм нэхърэ. А илъэсхэм ХьэфIыцIэ Мусэбий зи унафэщIу щыта 5-нэ, 6-нэ бригадэхэр пашэу щытащ нартыху, кIэртIоф, сэхуран къехьэлIэжынымкIэ. 1973 гъэм колхозым жыгIэрысэхэр хисэн хуей щыхъум, абы елэжьыну бригадэм и пашэу ягъэувынур къыхахырт. Ар дзыхь зыхуащIар, дауи, мэкъумэш лэжьыгъэм хуэIэижь, къызэгъэпэщакIуэ нэс ХьэфIыцIэ Мусэбийщ. ИкIи кIэщI дыдэу абы и бригадэм жыг хадитI игъэтIысащ. Зыр гектари 100 хъууэ — Гуащэ и псынэм и ижьырабгъу Iуфэм, адрейр — Гундэлэн и сэмэгурабгъу Iуфэм, гектар 70 къиубыду. Лэжьыгъэм зыщызымыдзей, къикIуэт зымыщIэ, сыт щыгъуи нэхъыфIым хущIэкъу адыгэлIыр зэман кIэщIым къриубыдэу хадэгъэкI IэкIуэлъакIуэ хъуащ икIи и нэIэ щIэт бригадэм пхъэщхьэмыщхьэ бэгъуа кърихьэлIэжу зэтриублэри, колхозхэтхэм я лэжьапщIэр ахъшэу кърат хъуащ. ЖыгIэрысэ гъэкIыным илъэс 15 хухихащ Мусэбий, иужьрей илъэситхум пенсэ кIуауэ лэжьащ. Ар сытым дежи жыджэрт: и унагъуэми щIышхуэ щызэрихьэрт, жыг хадэ дахэ иIэт, хадэхэкIхэм елэжьырт, джэд-къази мэли игъэхъурт. ЖыпIэнуракъэ, и гъащIэр щызу, гъэщIэгъуэну ирихьэкIащ абы. Республикэм, къэралым щекIуэкIхэм фIыуэ хищIыкIырт, ихъуреягъым къыщыхъум зыщигъэгъуазэрт. АбыкIэ сэбэп къыхуэхъурт сыт щыгъуи Iэ зытридзэ «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Аргументы и факты» газетхэр, «Iуащхьэмахуэ» журналыр. Мусэбий хъыджэбз тхьэIухудитхум, зы щIалэ щыпкъэм, къуэрылъху-пхъурылъху 11-м, абыхэм къалъхужа цIыкIуи 7-м я адэ, адэшхуэ гумащIэу, насыпыфIэу псэуащ. А псори нэхъыжьыфIыр я гъуазэу къэхъуати, лъэпкъыр зэрыгушхуэ, жылэм къахуэщхьэпэ цIыху нэсу гъащIэм хэуващ. — Псори хъарзынэт, зы гукъеуэщ сиIэр, — жиIэрт абы зэкъуэш хуэдэу гуапэу дызэбгъэдэсауэ дыщызэбгъэдэкIыжкIэ. — Зауэм и лъэхъэнэм лIыжь-фызыжьхэм, цIыхубзхэм, сабийхэм я къарукIэ выхэр, жэмхэр, шыдхэр щIащIэрти, колхоз губгъуэшхуэхэр явэрт, Iэщ пIащэхэр, мэлхэр, шыхэр ягъэхъурт, армэри ягъашхэрти, къэралри къызэрагъэпэщырт. Иджы, зауэр зэриухрэ илъэс 70 дэкIыжащ, къэралым тракторхэр, комбайнхэр и куэд хъуащ, итIани губгъуэхэр хыфIадзэжауэ ящIэжыркъым, былым гъэхъуным елIэлIэжыркъым. Апхуэдэ щытыкIэр здэщыIэр, си жагъуэ зэрыхъущи, ди къуажэм и закъуэкъым… Мис арат ХьэфIыцIэ Мусэбий Дэвей и къуэм и гъащIэр зыхэлъыр. А адыгэлI къызэрымыкIуэм хуэфащэ дыдэу къыфIащат икIи пщIэ иIэу зэрихьэрт «Зеикъуэ щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр. Ар сыт щыгъуи щытащ мэкъумэшыщIэм, къуажэдэс щIалэгъуалэм я щапхъэ нэсу. Мусэбий и ныбжьыр илъэс 89-м иту 2011 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м дунейм ехыжащ, ар щыщIалъхьэжащ къыщалъхуа, къыщыхъуа жылэжьым. ХьэфIыцIэ Мусэбий зеикъуэдэсхэм ягу къинащ зи гъащIэ псор лэжьыгъэм хуэзыгъэпса, зи псэр гуапагъэм хузэIуха, цIыхугъэмрэ гущIэгъумрэ япэ изыгъэщу щыта цIыху щыпкъэу. Жэнэтыр унапIэ хуэхъуауэ Тхьэм къыщIигъэкI, иужь къина и щIэблэм гъащIэ кIыхь, насыпыфIэ Тхьэм къарит! Джэдгъэф Аслъэмырзэ. Зеикъуэ къуажэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26260.txt" }
Насып Iуащхьэ — Iуащхьэмахуэ «Насып Iуащхьэ» («Гора Счастья») фIищащ Красноярск щыщ тхакIуэ, журналист Майстренкэ Валентинэ 2009 гъэм къыдигъэкIа тхылъым. Документальнэ повестым Урысейм и цIыхубэ сурэтыщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Урысей академиемрэ ЩIДАА-мрэ я академик, профессор Пащты Герман теухуащ. Иужьрей илъэсипщIым Красноярск къалэм щыпсэу ди лъэпкъэгъум и сабиигъуэр, щеджа илъэсхэр, и Iэзагъым зэрызиужьа щIыкIэр, и унагъуэр, и лэжьыгъэр — а псори гу хуабагъкIэ гъэнщIа сатырхэм иригъэзэгъащ Герман и IэдакъэщIэкIхэм фIыуэ щыгъуазэ журналистым. Пащтым теухуа тхылъыр зэрыщыту къытхутемыдзэми, абы щыщ Iыхьэхэм щыгъуазэ фыхудощI. Розэ плъыжь мелуан Пащты Герман и сурэтхэм розэхэм куэдрэ уащрохьэлIэ. Мелуан дыдэм нэсынкIи хъунущ, езыр зэрыхуейм хуэдэу хъуа розэ сурэтыр къыхихын папщIэ сурэт щэ бжыгъэхэр зэрищIар къэплъытэмэ. — Удз гъэгъа щащэ тыкуэнхэм щIэлъ розэхэм мэ къакIэрихыркъым, бани ятеткъым, — жеIэ езы сурэтыщIым. — Розэ нэсыр, пщащэм и хъуэрыбзэм хуэдэу, къыпхэуэу щытын хуейщ, дэтхэнэ зыми къыпимычыфу. Герман и розэ сурэтхэм ящыщ зыбжанэм я цIэ къисIуэнщ: «Розэ. Iуащхьэмахуэ», «Къамэрэ розэрэ», «Розэм и гъусэ хъуэхъу», «Бжьэмрэ розэмрэ», «Розэ зэхуэзыхьэс пщащэ»… Пащтым и розэ мыгъуэлэжхэр псори банафIэщ, къыпхоуэ. Абы и розэхэм къалъэтыхь, уэрэд жаIэ, магъ. Псалъэм папщIэ, уафэ щIэншэм къелэлэх розэм уи гуауэр зыхищIэфынущ, КIыщокъуэ Алим и «Усэ шэрыуэхэм» хуищIа сурэтым хэт розэми нэпс щIегъэкI. — Хэт абы игъейр? — соупщI сурэтыщIым. — Сирием, Иорданием, Тыркум щыпсэу адыгэхэра къыщIэкIынщ, ахэр Хэкужьым къыщIэбэг зэпытщ. Дунейм мелуаниблым нэс адыгэ тепхъащ. — Урысейм дапщэ-тIэ исыр? — Тэмэм дыдэу сщIэркъым, мин 700-м щIигъу къыщIэкIынщ… Мысырымрэ Щамымрэ я IэмыщIэ илъащ Пащты Герман Кавказ лъэпкъ псори зыуэ къэтлъытэу деса щхьэкIэ, абыхэм я тхыдэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу дджынри зэрантэкъым. КъызэрыщIэкIымкIэ, «адыгэ» жаIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ исщ, аращ Герман зыщыщри. Абыхэм «къэбэрдейкIэ» йоджэ. Адыгейми щыIэщ адыгэхэр. Абыхэм «адыгей» фIащащ. Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэхэм щхьэкIэ «шэрджэс» жаIэ. Ауэ а псори зы лъэпкъщ. А лъэпкъыжьым щыщ мамлюкхэращ илъэси 135-кIэ Мысырымрэ Щамрэ (1382 гъэм щегъэжьауэ 1517 гъэм нэсыху) зи IэмыщIэ илъар. ИкIи ахэращ цIыхухэр щэн-къэщэхун хабзэр япэу зыгъэувыIэжауэ щытыгъар. Куэдым ящIэркъым Урысейм и япэ генералиссимусу щытар Черкасский Михаилу зэрыщытыр. Сыбырым и япэ губернатору щытари адыгэщ — Черкасский Алексейщ. 1741 гъэм ар Урысейм и канцлерышхуэу ягъэувауэ щытащ. «Аращи, — къыпогуфIыкI Герман, — мы Сыбырыр япэу къэзыхута адыгэр сэракъым». Бгырысхэм я шэр техуакъым Iуащхьэмахуэ жиIэмэ — Насып Iуащхьэ жиIэу аращ. А насыпым и мэр къащIихьэрт Пушкинми Лермонтовми, — жеIэ сурэтыщIым. — Абыхэм хуэдэу Кавказыр усэкIэ зыгъэлъэпIэфа нобэкIэ кавказ усакIуэхэм къахэкIакъым. Бгырысхэм ахэр езыхэм я усакIуэу ябж. Урыс усакIуэхэм Кавказым хуаIэ лъагъуныгъэм папщIэ фIыщIэ яхуищIу, езы Германи ахэр фIыуэ илъагъужырт. Къэрэндащ къищтэурэ я усэхэм хуэкIуэн сурэт ищIырт зэрыцIыкIурэ. Бжьамий. 1975 гъэ СурэтыщI Пащты Герман зыпIари зыгъэсари езым и Налшык къалэм и закъуэ-къым. Абы и хамэкъым урыс къалэхэу Ростови, Мэзкууи, украин къалэ Львови, лъэпкъ куэду зэхэт Сыбырри. Мыбдежщ, Красноярскщ, Герман Пушкиным и дунейм нэхъ куууэ хыхьэу куэд щIауэ иIа хъуэпсапIэм щылъэIэсар. Тхьэм ещIэ, и Насып Iуащхьэм хуэзэшу къыщIэкIынт, Пушкиным и тхыгъэхэмрэ Лермонтовым и кавказ поэмэхэмрэ сурэт яхуищIыну яужь щихьам. «Лермонтовым и кавказ поэмэхэр» тхылъым ихуащ Герман ищIауэ сурэт 40. Ар 1990 гъэм мини 100 хъууэ Мэзкуу къыщыдагъэкIащ. Пащтым и IэдакъэщIэкIхэм уащыхэплъэкIэ, зэуэ сурэтитI къыхегъэщхьэхукI — Лермонтовымрэ Демонрэ, къарумрэ нэхумрэ, къарууншагъэмрэ кIыфIыгъэмрэ я щапхъэ лъэныкъуитIу. Лермонтовым и апхуэдэ сурэт сэ зыщIыпIи сыщрихьэлIауэ сщIэжыркъым. УсакIуэм и нэгур нэхущ икIи гупсэхущ, ар зэрыщыту лIэныгъэм пэщIэт къару щэхущ. Дэнэ апхуэдэ лъагагъыр къыздикIыр? — Пушкиным ныбжь иIэу къэзгъэлъэгъуэну сыхуейт. Ар щыцIыкIуми балигът. Ауэ си Лермонтовыр щIалэщ. Абы адыгэ пыIэрэ щIакIуэрэ щыгъыу къэзгъэлъэгъуащ. Ахэр усакIуэшхуэм фIэфIт. Шэ къытрамыгъахуэу къахъумэрт. Бгырысхэм я шэракъым ар зыхьари. Абы къытехуар нэгъуэщI шэщ. Сурэт телъыджэхэр Шэджэм псыкъелъэхэр. 1993 гъэ ИлъэсипщIым и кIуэцIкIэ Герман махуэ къэс Пушкиным и тхыгъэхэм еджащ. Махуэ къэс сурэтыщIымрэ усакIуэмрэ зэгъусэт. А илъэсипщIым и кIуэцIкIэ Пащтым сурэт 70 ищIащ. УсакIуэшхуэр илъэс 200 щрикъум, абы зыхуигъэхьэзыра хуэдэ, илъэсипщI къару зытекIуэда лэжьыгъэр тхылъеджэхэм я дежкIэ саугъэт лъапIэ, езы сурэтыщIым и дежкIэ — зылъэIэса плъапIэ хъуащ. Хуэмурэ зэтызодз Пушкиным и усэ тхылъыр. Мис Кърымым, Кавказым хуэгъэза усэхэр, «Бахъшысэрей фонтаныр». Абыхэм я гъусэу Пащтым и гравюрэхэми дуней телъыджэ къызэIуах. ИлъэсипщI лэжьыгъэр зэфIэкIащ. Мы тхылъыр, зэрыжытIащи, дунейм къыщытехьар усакIуэм и махуэшхуэращ. КъызэрыдэкIар зи фIыщIэри Красноярск крайм и унафэщIу щыта Лебедь Александрщ. Езыр сурэтыщIым и лъэщапIэм къакIуэри, лэжьыгъэр къыдиIыгъащ, къыдэгъэкIынымкIи къыдэIэпыкъуащ. Пащтым и япэ «Пушкин саугъэтыр» къезытари а губернаторырщ. Ар 1999 гъэрт. МафIэ бзий ныбжьхэр Мазэгъуэ жэщ. Джантуган. 1995 гъэ Герман Сыбырым щыкIуэм, «ЩIыIэм уисынщ» жаIэурэ ягъэгузавэрт Москва щыщ и ныбжьэгъухэм. Ауэ щыхъукIи, Кавказ щIымахуэхэр куэдкIэ нэхъ кIащхъэкъым, Сыбыр жьапщэхэм нэхърэ. Къалмыкъ тафэмкIэ къыщежьэ ищхъэрэжьым зэ зыкъызэщIищIэмэ, Сыбырыр къыщыуигъэщтэжыни къыхохуэ. … Уэс, борэн, шыхэр зыгъэдыкъа щIыIэ, балигъхэр хьэуазэрэ мэкъурэ зэрылъ Iэжьэхэм исщ. Езы Герман цIыкIущи, щIыIэм имысын щхьэкIэ, Iэжьэм бгъурыту жэну зэзэмызэ хуит ящI. Абы, пэж дыдэуи, щIыIэм укърегъэл. Ар сабиигъуэм щыщ зы сурэтщ. Япэу Герман илъэгъуа сурэтхэр тхылъымпIэтэкъым зэрытыр. Ахэр и анэшхуэ Дыщэхъанрэ и адэшхуэ Алимырзэрэ я хьэку джабэм кIэридзэ сурэтт. ЩIымахуэ щIыIэхэм хьэкур хьэуазэкIэ ягъэплъырт. Абы и бзийхэм я дахагъыр пхуэмыIуэтэным хуэдизт. А зэманым Герман тхылъымпIэ къудеи илъэгъуатэкъым, ауэ мафIэ бзий ныбжьхэм я джэгукIэм щIалэ цIыкIур ятхьэкъурт. Хьэкум деж тIысырти, нэрымылъагъу гуэрым сурэт дахэхэр мафIэкIэ зэрищIым еплъырт. «Абы щыгъуэм сурэт щIын жыхуаIэр сщIэххэртэкъым, ауэ си псэр ихьэхуат си нэгум щIэкIым». Апхуэдэу сурэтыщIым щыгъупщэркъым зэгуэрым адэм и куэщIым иригъэтIысхьэу шы сурэт хуищIауэ зэрыщытар. ЩIалэ цIыкIум къыфIэщIырт абы нэхърэ нэхъ шы дахэ дунейм темыту. Пащтыхэ я шы гуартэ Псынэм деж. 1967 гъэ Хьэсэнбий (Куба) къуажэм дэс Пащтыхэ зэгуэр шы гуартэ псо яIащ, шищэм нэблагъэу. 1920 — 1930 гъэхэм Къэбэрдейм щыцIэрыIуэу щыта Къалмыкъ БетIал — обкомым и япэ секретарыр — Пащтыхэ я шыхъуэу щытат. КъулыкъущIэ хъуа иужьи, а лъэпкъым къыхуэгуапэу къэнат ар. Къалмыкъыр 40 гъэхэм ягъэкIуэдащ. Нобэр къыздэсым БетIал теухуауэ цIыхухэм жаIэхэр хуабжьу зэщхьэщокI, ауэ хуагъэува фэеплъыр Налшык и курыкупсэм итщ. Колхозхэр къежьа нэужь, Герман и адэшхуэ Алимырзэ иIэу хъуар колхоз мылъкум хилъхьащ, и шы гуартэри яхэту. И адэм хуэдабзэу, шыр фIыуэ илъагъурт Суфадини. Дзэм къулыкъу щищIэну щыкIуэм, ар шуудзэм хагъэхьэри, лIыгъэ къигъэлъагъуэу хэтащ. Хэт хуищIыфынт-тIэ и къуэм шы зыкъизыхым и сурэт, зауэм къикIыжа и адэм нэмыщI? А зэманым щегъэжьауэ Герман и сурэт псоми шы щыплъагъунущ. Абы и шы сурэтхэр зэхуэпхьэсыжмэ, и адэшхуэм и шы гуартэр пхуригъэкъужынкIи хъунщ… Зауэ нэужь лъэхъэнэр Герман и адэр щыпсэуа къуажэм щигъакIуэрт. Зэманыр гугъут. Гъаблэм къела сабийхэр губгъуэм къина шэ къэуэжым икIуэдыкIынкIи хъунут. Адыгэхэм къэмыфэ куэд яхэбгъуэтэнукъым. Герман и нэгум къыщIэнащ и адэмрэ и анэмрэ къафэу тету. Шыр зыгъэджэгуфыр лIыхъужь дыдэт. «А зэманым яухуэ унэхэр лъахъшэт, метритI-щы хъур унэшхуэу къалъытэрт», — игу къегъэкIыж Герман. ГуфIэгъуэ куэд сурэтыщIым и сабиигум къринащ Куба дэта адэжь лъапсэм. «Шы слъэгъуамэ, си гур схуэубыдыртэкъым, — пыгуфIыкIыурэ гукъэкIыжхэм хохьэж Герман. — Абыхэм я дахагъыр, лантIагъыр, я бэкъуэкIэ къэс зэрыдахэр зыми пхуегъэщхьынукъым». ЛIэщIыгъуэ ныкъуэ дэкIа нэужь, Пащты Герман, иджы график цIэрыIуэр, 1990 гъэм иужь ихьащ «Шыхэр» зыфIища сурэт гуп ищIыну. Абыхэм лъабжьэ яхуэхъуар сабиигъуэ гукъэкIыжхэрщ. Пащтыхэ я шы гуартэр и щIалэгъуэм щегъэжьауэ къыдогъуэгурыкIуэ сурэтыщIым: зэм ар усэ тхылъхэм къыщохутэ, зэм дамыгъэ цIыкIуу — экслибрису — тхылъ напэм йохуэ. Хъыбар гъэщIэгъуэн Iэджэ къызжиIэжащ Герман адыгэшым теухуауэ. Пащты Герман и адэ-анэр. 1989 гъэ 40 гъэхэм Сталиным и унафэкIэ адыгэшхэр Монголие лъэныкъуэкIэ яхуащ. Лъэпкъ псохэр ирашырт, лIот шыхэр ипшыным хэлъыр? Арати, лIэщIыгъуэкIэрэ гъусэ пэжу цIыхум къыдекIуэкIа адыгэшхэм ящыщу адыгэщIым мащIэ дыдэ фIэкIа къинакъым. Адыгэ хъыбарыжь щыIэщ, Македонский Александр адыгэшым тесу Индием нэсауэ. Хэт ищIэрэ, пэжынкIи хъунщ. Дэтхэнэ зы адыгэ лIыжьми къыбжиIэжыфынущ адыгэшым тесу я адэжьхэр Щам, Тыркум, Урысейм щэхуакIуэ кIуэуэ зэрыщытар. Жэщым хъупIэм зыщагъэпсэхужу, шыхэр махуэ псокIэ гъуэгу тетыфынут. Алыдж хъыбарыжьхэм ещхь «Нарт» хъыбархэм куэду хэтщ шыхэр. «Сыт хуэдэ хьэл фишхэм яхэлъу хъыбархэм къыхэнэжар?» — соупщI сурэтыщIым. «Укъагъэпэжу, зейр къахъумэу. Шыр цIыхум хуэдэкъым — укъигъэпцIэфынукъым, сытым дежи къыпщхьэщыжынущ. Адыгэхэм зэи яшхэр ящэу щытакъым, ар напэм къемызэгът. Уи ныбжьэгъур пщэжыным хуэдэт ар». Сыту пIэрэ-тIэ ныбжьэгъухэм я нэхъ пэж адыгэшым цIыхухэр епцIыжын хуей щIэхъуар? Шынэрти, къызыхэкIа лъэпкъыр ябзыщIырт И егъэджакIуэ Ткаченкэ Иванрэ и къуэ Алимрэ я гъусэщ. 2000 гъэ ПлIыщI гъэхэм адыгэшхэр зэрыкIуэдыр шынэурэ ябзыщIырт. Сталиныр псэуху ар я жьэм къыжьэдэкIыу щытакъым. ЦIыхухэр, Iэщым хуэдэу, щызэтраукIэ зэманым шыхэм хэт къащхьэщыжынт? ЦIыхухэм ящыщ Iэджэм къызыхэкIа лъэпкъыр ябзыщIырт. «Дэ дымыщIэр нэхъыбэт. Дэнэт сэ щызэхэсхынур сэшхуэр адыгэхэм къагупсыса Iэщэу? Мамлюкхэм илъэси 135-кIэ Мысырым пащтыхьыгъуэ щаIыгъауэ? Иорданием я пащтыхьыгъуэр адыгэхэм зэтрагъэувауэ? Ататюрк къэрал унафэр IэщIыхьэным адыгэхэр хуабжьу хэлIыфIыхьауэ?» — игу хэщIу жеIэ сурэтыщIым. Зэгуэрым, инджылыз щIэныгъэлI цIэрыIуэм и гукъэкIыжхэм къеджэ пэтрэ, Герман игъащIэм зэхимыха гуэр къихутащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Тигррэ Евфратрэ яку дэлъ щIыпIэр хьэт-хьеттхэм я къэралыгъуэу щытащ. ИужькIэ тенджыз ФIыцIэмрэ Хъэзэр (Каспий) тенджызымрэ я зэхуакур псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэр, жыпIэнумэ, кавказ хьэтхэу аращ. Адыгэбзэм къыхэнэжа псалъэхэми къыуагъащIэ ар: «Ухэт уэ? Хэт ар? «Хьет» жегъэIэ». Адыгэхэм я эпосым хэтщ алыджхэм я Прометей ещхьу бгым кIэраIулIа Нэсрэн ЖьакIэ. Геракл ещхь лIыхъужьи яIэщ — Бэдынокъуэ. Пащтым и мурадщ абыхэм ятеухуа сурэт гуп утыку кърихьэну. КIыщокъуэ Алимрэ Пащты Германрэ. 1982 гъэ Мы Iуэхур хэIущIыIу ящIыщэн яфIэмыфIурэ яущэху, ауэ илъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм, адрей кавказ лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэхэми лей куэд къащытехьащ. XIX лIэщIыгъуэм къриубыдэу адыгипщIым щыщу бгъум я щхьэр зауэм халъхьащ, е я хэкур ябгынащ. Иджы Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адыгэхэр псэууэ къэнахэм къащIэна щIэблэщ. И псэр зытхьэкъуа Гугъущ Герман сурэт щIыным гу щыхуищIа зэманыр къэбубыдыжыну. Хьэку джабэм кIэридзэ бзий ныбжьхэм щIалэ цIыкIуу кIэлъыплъу щыщыта лъэхъэнэра? Хьэмэрэ адэм зэзэмызэ ищIу щыта сурэтхэм кIэлъыплъурэ? Е еджапIэм щIэтIысхьэу «рисованиекIэ» зэджэ сыхьэтхэр яIэ хъуа нэужь? Езым ар и лъым хэту къалъхуауэ, и адэжьхэм къратауэ къыфIощI, шыхэм яхуиIэ лъагъуныгъэм хуэдэу. Куба къуажэм япэ классыр къыщиухами, Герман Налшык школым щыщIагъэтIысхьэн ядэртэкъым… урысыбзэкIэ зы псалъэ зэримыщIэм къыхэкIыу. Адыгэбзэр бзэ гугъущ, абы укъытекIыу зэуэ урысыбзэм утехьэфыркъым. Арати, сабийхэр япэ щIыкIэ «первэныкъуэ» жыхуаIэ классым щIагъэтIысхьэрт, тIэкIу еджэным хэгъуэза нэужь, япэ классым хагъэхьэжырт. И ныбжьэгъу сурэтыщIхэр къыхуеблэгъащ: ПэтIуащэ Феликс, БжэIумых Хьид, Хетагуров Казбек. 1984 гъэ Япэ дыдэ Герман егъэджакIуэу зыIэрыхьар и адэ шыпхъу Жанпагуэщ. Первэныкъуэмрэ япэ классымрэ зэрыщригъэджам нэмыщI, Жанпагуэ Герман рисованэмкIи иригъаджэрт. Сыту и жагъуэ хъуат щIалэ цIыкIум псом нэхърэ нэхъ зыхуэгумащIэ адэ шыпхъум и сурэтым «тху» къыщIимыгъэувэу «плIы» къыщыхуигъэфэщам. Тхьэм ещIэ, и благъэ щIалэ цIыкIум худечых жригъэIэну хуей къыщIэкIынтэкъым. Адыгэхэр зэрытхэ алыфбейр кириллицэм тегъэпсыхьащ. Япэ щIыкIэ адыгэхэр хьэрып хьэрфхэмкIэ тхэуэ щытащ. Революцэ нэужьым латин хьэрфхэмкIэ зэхэлъхьа алыфбейм хуэкIуащ, иужькIэ — кириллицэм техьэжащ. Урысейм ижь къыпщIимыхупIэ иIэтэкъым. «Сыт абы гъэщIэгъуэну хэлъыр, ди лъэпкъ щIэныгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Нэгумэ Шорэ Бытырбыху щыщыщIалъхьакIэ», — жеIэ езы сурэтыщI- ми. И анэдэлъхубзэмкIэ фIы дыдэу еджэу, математикэри мыIейуэ къехъулIэу, ауэ урысыбзэм игъэлъэпэрапэурэ къекIуэкIащ Герман. Абы нобэми гуапэу игу къегъэкIыж хуабжьу къелIалIэу урысыбзэ къезыгъэщIа и егъэджакIуэ Берестовэ Антонинэ. «Лъагъуныгъэм и чэщанэр» СССР-м и сурэтыщIхэм я съездым хэтщ, Аккизов Екъубрэ Митурич Майрэ щIыгъуу. Москва, Кремль. 1986 гъэ Зэгуэрым, дерсхэр яуха нэужь, Герман и ныбжьэгъур къыщыхьэри, Пионерхэм я унэм ишащ. Абы студие щыIэт, Ткаченкэ Андрей сабийхэр сурэт щIыным щыхуигъасэу. Псоми фIыуэ ялъагъу, и зэфIэкIи, и зэмани щымысхьыж а цIыху телъыджэр къызыхуигъэщIар сабийхэм къыдалъхуам зегъэузэщIынырт. Ткаченкэ Андрей и гъащIэ псор триухуат и гъэсэн къэс сурэтыщI нэс, цIыху тэмэм къыхищIыкIыным. Кавказым щIыпIэ Iэджэ къыщызэхакIухьащ сурэтыщI ныбжьыщIэхэм, я егъэджакIуэ Ткаченкэ я гъусэу. Ауэ Герман псом нэхърэ нэхъ игу къинэжар зыщ. Пушкинра хъунщ ар зи фIыгъэр. Герман и сабиигъуэм щыгъуэ Тэтэртуп чэщанэр Осетие Ищхъэрэм хыхьэрт, ауэ Пушкиным и лъэхъэнэм ар КъэбэрдеищIрат зыхиубыдэр. Илъэс зыбжанэ дэкIыу Пушкиным и тхыгъэхэм сурэт щахуищIым, Пащтым зи гугъу ищI чэщанэм теухуа сатырхэр «Тазит» поэмэм къыхиубыдыкIащ нэхъ гулъытэ хуищIу: ФыгъуэнэдыIэм Гъэсуб и къуэр Тэтэртуп лъабжьэм щиукIат… «Лъагъуныгъэм и чэщанэкIи» еджэу щытащ абы, — жеIэ Герман. — Абы щIыхьэм цIыхуIэ къемыIусэжыфу, зыри къыпэмылъэщу мэхъу жаIэрти я фIэщ хъурт, щIэпхъаджащIэхэм нэгъунэ екIуалIэрт абы». 1988 гъэм чэщанэр къагъэщIэрэщIэжын мурад ящIащ осетинхэм. Хуэсакъыурэ еIуса къыщIэкIынкъым, арати, чэщанэр къэлъэлъащ. Иджы ар щыIэжкъым. ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием Пащтым и еплъыныгъэ щокIуэкI. Герман къыбгъэдэтщ и щхьэгъусэ Жаннэрэ СССР-м и цIыхубэ сурэтыщI Салахов Таиррэ. Москва, 2006 гъэ Ткаченкэ и студием ауэ сытми сурэт пщIыуэ ущрагъасэ къудейтэкъым — дунейм уи нэр хузэIухауэ, гуапэу гъащIэм ухэплъэу уащIырт. Абы щыкIуэ лъэхъэнэрат Герман Налшык дэт музейм япэ дыдэ щыщIыхьар. Абы щилъэгъуа сурэтхэм щIалэ цIыкIур бзагуэ ящIат. «Айвазовский, Брюллов, Рубо зэрахэтар къызощIэж, — жеIэ Герман, — копие мыхъуу, я сурэт дыдэхэр. Ауэ а зэманым абыхэм я унэцIэхэр зэи зэхэсхатэкъым. Слъагъум апхуэдизкIэ ситхьэкъуати, «Мыр цIыхуIэм хуэщIыну?!» жысIэрт. ИужькIэ Ткаченкэ сабийхэр Ваннах Михаил и лъэщапIэм щишэм, абы и сурэтхэр зэи узылъэмыIэсыфын гуэру къыщыхъуат Герман, езым апхуэдэ зыгуэри хуэщIыну и пщIыхьэпIи къыхэмыхуэххэу. Дон псышхуэм и Iуфэм Ткаченкэ Андрей министерствэм къикIауэ письмо къыIэрыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу художественнэ училищэхэм цIыхуищ щIагъэтIысхьэну: тIур — Краснодар, зыр — Дон-Iус-Ростов. ЕгъэджакIуэм Герман къыжриIащ: «Хэди, узыхуейр къыхэх, уемыджэу хъунукъым». Адэмрэ анэмрэ Iуэхум зэрыхущытыр, дауи, зэщхьтэкъым. Анэм къуэм гъуэгу нэхъ тынш къыхихмэ нэхъ фIэфIт: пщIэи мылъкуи гугъу уемыхьыщэу къыщыпIэрыхьэу. Ауэ адэм «иреджэ» жиIэрт икIи и къуэм къылъыкъуэкIа зэчийм щэхуу иригушхуэрт. Ебланэ классыр къэзыуха щIалэ цIыкIум дежкIэ Ростов къалэм нэс еджакIуэ укIуэныр щIым и гъунэм укъыщыщIидзыным пэлъытат. Псом хуэмыдэу адэ-анэм я дежкIэ. ИтIани ирагъэжьат, зэрыгузавэм текIуэхэри. Къэзанокъуэ Жэбагъы. 1985 гъэ Къэпщытэныгъэхэр гугъут. Сурэт щрагъэщIым Герман кIэзызырт, езым ищIам нэхъ Iей хэмыту къыщыхъуу. Зэпеуэр апхуэдизкIэ инти, зы цIыхум пщыкIутху къыпэщIэтт. Iэпэлъапэсыс хъухэрэ, экзаменым хэтын темыгушхуэу, зи дэфтэрхэр къеIызыхыжу кIуэжхэри къахэкIырт. И сурэтхэм гу къызэрылъатар къыщищIэм, Герман и гур нэхъ къызэрыгъуэтыжат. ИкIэм-икIэжым зыпеуа гупым езым фIэкIа зыри къыхэнэжакъым. Ауэ ар сурэт щIынымкIэт. Иджы урысыбзэмкIэ къэпщытэныгъэхэр къыпэщылът. Арат псом хуэмыдэу зыщышынэр. ЩIэхуахэм езым и унэцIэри хэту къыщилъэгъуам и фIэщ мыхъужу еплъу щытт. «СыщIэхуащ» жиIэри телеграммэ унэм иригъэхьащ. Ауэ мычэму игъэщIагъуэрт: дауэ урысыбзэмкIэ диктантыр зэрыхуэтхар? Етхуанэ курсым нэсауэ ар библиотекэм щылажьэ цIыхубзым къригъэлъагъужащ. «Диктантым уеплъыну гужьеигъуэт, зэрыщыту шакъэ плъыжькIэ зэхэтхыхьат, шакъэ щIыхур умылъагъужу. Нобэр къыздэсым къызгурыIуэркъым, дауэт сыкъызэращтар?» ЕгъэджакIуэхэми къагурыIуэ къыщIэкIынт Налшык щыщ щIалэ цIыкIум урысыбзэ иджыну къызэрымыкIуар, сурэтыщI гъуазджэм и насып зэрыхэлъыр. Импрессионистхэм гу зэрахуищIар ЕджапIэр къиухыным нэблэгъауэ Герман импрессионистхэм дахьэхащ. Абы бэлыхь къимыкIыуи къэнакъым. Кулагин Александр жыхуаIэм къыфIэщIырт импрессионизмэр социализмэмрэ коммунизмэмрэ пэжыжьэ «ныбэизхэм я гъуазджэу». КъыфIэщIым и закъуэт? Пащтыр хьэлэбэлыкъ хидзауэ экзаменхэр итыну хуит ищIыртэкъым. «Уи зэранкIэ сэ КГБ-м сраджэну сыхуейкъым», — жиIэри егъэджакIуэм жылэр зэхэту импрессионистхэм яжь зыщIихуа Герман и диплом лэжьыгъэр зэхицIэлат. КIыщокъуэ Алим. 1985 гъэ Зэман дэкIри, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьа Пащты Герман хуэзэжащ Кулагиным. Зэрыкъуэншар, зэрыщыуар къыжриIэри къыхуигъэгъунуи къелъэIуащ, сурэтыщIхэм я зэхуэсми зыкъыщиумысыжащ. Езы Германи гужьгъэжь хуиIэтэкъым егъэджакIуэм, стипендиеншэу къызэригъэнам имыгъэтхъами. Танкист зэрыхъуар Ростов дэт еджапIэр къызэриухыу, Герман дзэм ираджащ. Налшык къызэрагъэнэжыр къыщищIэм, лъэIуат нэхъ жыжьэIуэ Iуашыну. Къыхуадакъым. «СурэтыщI димыIэу хъунукъым, Iэджэ щIауэ апхуэдэ дыхуэныкъуэщ» — къыжраIащ. Герман и адэ Суфадин дзэм щыхэтам щыгъуэ къулыкъу щищIа щIыпIэм къыщыхутащ. А зэманым ар шуудзэм и хэщIапIэу щытат. Иджы шыхэм я пIэкIэ гуэщ кIыхьхэм танкхэр щигъэувыкIат. Герман и къалэныр къыгурагъаIуэри, лэжьэн щIидзащ. Куэд мыщIэуи частыр цIэрыIуэ хъуащ и «нэрылъагъу агитацэр» адрейхэм щапхъэ зэрыхуащIымкIэ. Илъэс дэкIа нэужь, Пащтыр хуит къащIащ Репин и цIэкIэ Ленинград дэт художественнэ институтым щIэтIысхьэфмэ еплъыну, кхъухьлъатэми ирагъэтIысхьащ. Училищэр къэзыуха, дзэми хэт сурэтыщIым «щы» защIэ фIэкIа къимыхьми къащтэнут институтым. Ауэ щыIэщ насыпыр тыншу къызыIэрымыхьэ. Экзаменхэм я пэ къихуэу, Герман къыпаубыдащ еджапIэ нэхъыщхьэ щIэтIысхьэхэм яIыгъын хуей медицинэ справкэм хуэдэ яритыну. «Сэ дзэм сыкъыхэкIри сыкъэкIуащ» щыжиIэм, ди Iуэху хэлъкъым жаIэри, гъунэгъуу щыт поликлиникэм ягъэкIуащ. Абы а щIыпIэм щымыщхэм дахэ-дахэу къащемыпсалъэу къыщIэкIащ. АфIэкIа хэмылъу, мыхьэнэ зимыIэм щхьэкIэ Iуэхур зэрызэхуэмыхъум зытригъэгусэри, Герман Петродворецым кIуащ сурэт ищIыну. ЕпщтрыIуэкIат, шэч хэмылъу, ауэ гъащIэм къыщыхъу псоми мыхьэнэ гуэр яIэу къыщIедзыж. Адэм и жьауэ Гамзатов Расул. 1976 гъэ Унэм къекIуэлIэжа нэужь, Герман, зэрихабзэу, нэхущым деж къэтэджырт. Ауэ пэшитI фIэкIа мыхъу унэм цIыхуий щыпсэурт, абы къыхэкIыу лэжьапIэ пэшу иIэр щIыбрат. И адэр а зэманым арматурщикхэм я бригадирти, ахъшэ хъарзынэ къилэжьырт. Унагъуэр и пщэ зэрилъым хуэдэу, Герман и сурэт IэмэпсымэхэмкIи зыкъыщIигъакъуэрт. Холстрэ краскэрэ къыхуищэхуащ зэи, тIэуи, щэи… ИтIанэ къеупщIащ: «Дапщэщ лэжьэн щыщIэбдзэнур?» Лэжьыгъэ къэбгъуэтыныр бэлыхьышхуэт. Художественнэ фондымрэ СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэмрэ Герман къыхуэхамэгу-хамащхьэт. Iэмалу къанэр зыт: оформителу кIуэнырт. Ар сурэт щIыныр Iэпэдэгъэлэл уэзыгъэщI Iуэхут. Ахъшэ къыболэжь, псалъэм папщIэ, плакат гуэр бощIри. ИтIанэ-щэ?.. Сыту къаруушхуэ текIуэда Герман творческэ лэжьыгъэм гъуэгу хухишыным. Адэм Тхьэр арэзы къыхухъу, сытым дежи и къуэм зыкъыщIигъакъуэрт. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэгуэрым Герман ираджэ СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм. Абы къыщыжраIэ рисованэмрэ черченэрэ щригъэджэну школ гуэрым кIуэну. Герман и лъыр къэкъуэлъащ. «Сыт сэ сыкIуэу сабийхэр щIезгъэджэн хуейр, фэ фэщхьу сурэт сщIыну сыхуейуэ?» Къыщытрамыгъэхьэфым, къэралым ахъшэ къытригъэкIуадэу зэрыригъэджар, ар ипшыныжыну зэрикъалэныр къраIуэкIыу щIадзащ. КъыжраIащ дяпэкIэ художественнэ фондым зыкъыщимыгъэлъагъуэми зэрыхъунур. Апхуэдэ псалъэмакъхэм иужькIэ ар «Щхьэи сыщеджат училищэм?» жиIэурэ зэныкъуэкъужырт. ЛэжьапIэ къилъыхъуэурэ, Герман тхылъ тедзапIэм нэсащ. Ар ехъулIэныгъэм хуэзышэну и щIэдзапIэт, езым абы щыгъуэ ар имыщIэми. ИтIанэ тхылъ жинтхэр ирагъэщIу щIадзащ. Къилэжьыр сурэт ищIхэм тригъэкIуэдэну ирикъутэкъым, ауэ итIани Iуэхуншэтэкъым. Адэм аргуэру зыкъыщIигъэкъуащ. «Краскэмрэ холстымрэ я уасэ сэ уэстынщ, школым егъэджакIуэу умыкIуэ», — къыжриIащ. Апхуэдэу тхылъ тедзапIэм я лъэIухэри игъэзащIэу, езыми и лэжьыгъэри зэпимыгъэууэ псэун щIидзащ. Мэзкуу ирагъэблагъэ ЩоджэнцIыкIу Алий. 1974 гъэ Насыпыр и закъуэ къакIуэркъым. Зэман дэкIмэ щхьэгъусэ хуэхъуну Жаннэ, хъыджэбз Iущ, лъагъугъуафIэ, зэпIэзэрытыр зригъэцIыхуа къудейрэ и гум щыщигъафIэ махуэхэм языхэзым Герман ираджэри къыжраIэ: «Мэзкуу ебгъэхьа лэжьыгъэхэр ягу ирихьащ. Творчествэм и унэм урагъэблагъэ, гъуэгупщIэри, ущыпсэунум и уасэри къуатынущ». Ар щымыгугъыххауэ къеуэлIа гуэрт. «Челюскинский» зыфIаща Творчествэм и унэм Герман зыщыхуигъэсащ алъандэм зыхуэIэзэу щымыта офортым. АбыкIэ сэбэпышхуэ къыхуэхъуащ Фейгин Михаил. Хуэм-хуэмурэ и лэжьыгъэхэр къытехуэ хъуащ «Советская культура» газетым, «Москва» журналым. 1966 гъэм Краснодар щекIуэкIынут Урысейм и СурэтыщIхэм я япэ выставкэ. Зэпеуэм ирагъэблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэри. АрщхьэкIэ Пащтым ар къылъагъэсынт: узэрыдгъэкIуэн ахъшэ диIэкъым жаIэри яутIыпщыжащ, СурэтыщIхэм я союзым зэрыхэмытри игу къагъэкIыжри. Ар унэм щыщигъэхъыбарым, куэдрэ мыгупсысэу, адэр гъунэгъум екIуэкIри тумэнитху щIыхуэу къыIихащ. «КIуэ сурэтыщIхэм я гъусэу, абы ухэмыту хъунукъым», — къыжриIащ. Апхуэдэу и лъахэгъу 15-м я гъусэу Герман Краснодар (Бжьэдыгъукъалэ) кIуащ. И гум зикъузу сурэтыщI щIалэр щIэбэкъуащ сурэтхэм щыхэплъэ пэшым. Герман дэнэ щищIэнт выставкэм иша сурэтиблым щыщу тхур занщIэу абдеж зэрыщащэхунури, Академием и президент езы Серов дыдэр къызэрыщытхъунури. Нэхъ сурэтыщI цIэрыIуэу къэралым исхэр Iэгу къыхуеуащ, и офорт къэс тумэнипщI уасэу хуагъэуври, ахъшэри къратыжащ. Герман и гур къилъэтырт егъэлеяуэ куэду къыфIэщI и япэ улахуэр и адэм щыхуихьым: тхылъымпIитху, дэтхэнэ зыри сомищэ хъууэ — ар мин ныкъуэ ирикъурт. Адэм, лэжьакIуэжь хьэлэлым, ахъшэр Iихри: «ТхылъымпIэжь цIыкIухэм мыпхуэдэ уасэ абрагъуэ хуэзыщIхэр губзыгъэ?» — жиIащ. Ауэ игукIэ, дауи, арэзыт. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Пащты Суфадинщ и къуэр сурэтыщI зэрыхъунур псом япэ къэзыщIар. Мис иджы уафэм къыщызэщIэнат Герман и вагъуэр. Суриков Василий. 1998 гъэ Академикхэм Герман и лэжьыгъэхэр къызэрыхахар уафэхъуэпскIым хуэдэт. Бжьэдыгъукъалэ щыщ ныбжьэгъухэм «шу пашэр» рестораным щагъэлъэпIащ, хъуэхъухэм я нэхъ гуапэхэр къыхуагъэшу. Апхуэдэ защIэу екIуэкIыну къыфIэщIырт Герман иджы гъащIэр. Ауэ текIуэныгъэм ухуэзышэ гъуэгухэр зэрыкумблIэмбыр иужькIэ IупщI хъуащ. Абы щыгъуэми адэр чэнджэщкIэ къыкъуэуващ: «Плъагъуркъэ, апхуэдэуи мэхъу, ауэ зэи укъимыкIуэт!» 1967 гъэм Пащтыр СССР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ, къызэрагъэлъагъуэрэ зы илъэс фIэкIа дэмыкIыу. Ари пщIэ лей къызэрыхуащIам и щыхьэтт. Иджыпсту Пащтым Сыбырым щыпсэу щIалэгъуалэр тхылъ графикэм хуегъасэ. Пушкиным, Достоевскэм, Гоголь, Лермонтов, нэгъуэщI тхакIуэ цIэрыIуэхэм я тхыгъэхэм иллюстрацэ щыхуащIкIэ, ар хуейщ сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я гум цIыхум нэхъыфIу, нэхъ лъэщу, езыр нэхъ зыузэщI къарууэ хэлъхэр къыщыушыну. Апхуэдэущ Насып Iуащхьэм узэрыдэкIуеипхъэр. Уи кIуэкIэр мызахуэмэ, цIыху къабзэу ущымытмэ, езы гъуэгур пIэщIокI — аращ нэхъыщхьэу Герман ныбжьыщIэхэм яхипщэну зыхуейр. Узигъусэм ещхь уохъу Пащты Герман нэхъ насыпышхуэу, къару къезыту иIэхэм ящыщщ сыт щыгъуи и жьэгу пащхьэр зэрыхуабэр. Жаннэ къэмыланджэу абы и щIыбым къыдэтщ: гу хэщIыгъуэм зыкъыщIегъакъуэ, гуфIэгъуэр къыдегуэш, я сабийхэр гъащIэм хуэгумызагъэрэ гу пцIанэу егъасэ. Абы и акъылымрэ и зэхэщIыкIымрэ хурикъуащ щIэх-щIэхыурэ щхьэгъусэр ежьэн хуей зэрыхъур игу тригъэхуэфыну. КъызэрыщIэкIымкIэ, абы сурэтыщI цIэрыIуэхэм ятеухуа тхылъ куэд иджат, и щхьэгъусэм и лэжьыгъэмрэ и дуней тетыкIэмрэ нэхъыфIу къыгурыIуэ хъун папщIэ. Германием щыщ и ныбжьэгъу Цумпе Вольфганг и гъусэу Венецием зыщегъэпсэху. 2003 гъэ Зэгуэрым Пащтым Мэзкуу щекIуэкI выставкэм лэжьыгъэ гуэрхэр утыку къыщрихьащ гъусэ иIэу ищIауэ. Адыгэ фащэ зыщыгъ гуащэшхуэхэр егъэлеяуэ зыкъизыхт. Абыхэм я нэкIухэр зыщIар езы Германт, адрей псори, иужькIэ наIуэ зэрыхъуамкIэ, зи Iэ къыщIэкIар Жаннэт. ЗэрыжаIэщи, узигъусэм ещхь уохъу. ЕтIуанэ Ван Гог дыхуейкъым Герман и щIалэгъуэм импрессионизмэр фIэфIу зэрыщытам щхьэкIэ, гушыIэрейхэр абы «Ван Гог»-кIэ къеджэрт, «адыгэ Ван Гог» жызыIэхэри къахэкIыу. Сыт щIэ-Ван Гогыр? — соупщI Герман. «СщIэркъым», — жи езыми, ауэ, дыхьэшхыурэ, хъыбар гуэр къызжеIэж: «Училищэм сыщыщIэсым Ван Гог ситхьэкъуат, и IэдакъэщIэкIхэм тращIыкIа сурэтхэр зыIэрызгъэхьэну сыхэтт, ящэу слъагъуху. Зэгуэрым унэм телеграммэ изогъэхь: «ПсынщIэу ахъшэ къысхуевгъэхь, Ван Гог къэзмыщэхуу хъуну-къым». Сыт ищIэнт, къысхуригъэхьащ ди адэм ахъшэ. Унэм сыкъэкIуэжа нэужь къызоупщI: «Дэнэ щыIэ къэпщэхуар? Сыгъэлъагъут», — жи. ЗызгъэщIагъуэу репродукцэхэр и пащхьэм изолъхьэ. Абыхэм еплъурэ, си адэр зэрызэкIуэкIыр слъагъурт. ИкIэм-икIэжым зигъэгусэри, зы псалъэ къызжимыIэу щIэкIащ. Ар къыбгурымыIуэу хъунт — «тхылъымпIэжь цIыкIухэм» пщIэнтIэпскIэ къалэжьа апхуэдиз ахъшэ текIуэдат». Путин Владимир и тхылъыр тыгъэ хуещI. КъБР, 2001 гъэ Адэм къуэр игъэгушхуэну хэт зэпытт, ауэ критикхэм я нэхъ иныр и анэшхуэ Дыщэхъант. Абы и закъуэ комиссэ псо хъурт. Герман и сурэтхэр Дыщэхъан иригъэлъагъуурэ анэшхуэм игу ирихь-иримыхьхэр зригъащIэрт. Къуажэдэсу къекIуэкIа а нанэ цIыкIум, франджы салон иIыгъа фIэкI умыщIэну, пхуемыгъэкIуэтэкIын чэнджэщхэр къритырт. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр «абстракцэм» хыхьэ и лэжьыгъэхэр Налшык къыщрамыдзащэми, анэшхуэм ахэр игу зэрырихьырт, абы къыхиха сурэт псори икIэм-икIэжым выставкэхэм яшэрт. Илъэс бжыгъэ дэкIа нэужь, мэзкуу искусствоведхэм «адыгэ Ван-Гог» жаIэжыртэкъым — «адыгэ сурэтыщI Пащты Герман» и гугъу ящIырт, зыми хыумыгъэгъуэщэн хъэтI зиIэхэм хабжэу. Си хэкур — мастерскойрщ БгъущI гъэхэм Урысейпсо выставкэхэм график-сурэтыщI щIалэщIэм и цIэ къыщыIуащ — Пащт-Хъан. Апхуэдэу Герман и къуэ Алим утыку къихьащ. И адэм и Iэзагъым къыгуэкIыу, Алим езым и сурэт щIыкIэ гуэр зэриIэр нэрылъагъут, ауэ ари мы Iуэхум къызэрыхуигъэщIар наIуэт. Арати, Герман и къуэм зэран хуэхъуакъым. Къанокъуэ Арсен и хьэщIэщ. Красноярск, 2008 гъэ Алим 1972 гъэм къалъхуат, Герман Львов дэт полиграф институтым щыщIэсым щыгъуэ. Пащтыхэ я унагъуэм хъыбар дыхьэшхэн илъщ щIалэ цIыкIур езанэ классым щыщIэсам къэхъуауэ. «Си Хэку» жиIэу дерс екIуэкIырти, егъэджакIуэм жиIащ: «Хэкур ар укъыщалъхуа, ущыпсэу щIыпIэращ», — жи егъэджакIуэм. Алим и Iэр еIэтри: «Сэ си Хэкур — мастерскойращ». «Сыт мастерской?» «Хэкур — укъыщалъхуарамэ, сэ сыкъыщалъхуар папэ и мастерскойрщ, аращ си Хэкур». ЩIалэ цIыкIум жиIэр пэжт. Къыщалъхуну махуэр дыгъэгъазэм и 31-м хуэзати, абы и анэр сымаджэщым щашэм, сабийр дунейм къытехьакIэт. Красноярск диплом плъыжькIэ художественнэ институтыр къыщиуха нэужь, Алим Германием ягъэкIуащ Гёте и цIэр зэрихьэу Гетенгейн дэт институтым и щIэныгъэм щыпищэну. Галле къалэм дэт ГъуазджэмкIэ ЕджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьащ. Ар къиуха нэужь, абы графикэмкIэ аспирантурэр къыщиухащ. Куэд щIакъым Пащты-нэхъыщIэм скульптурэмкIи аспирантурэр къызэриухрэ. Алим и адэмрэ и анэмрэ я унэцIэхэр зэпигъэувэри Пащт-Хъан цIэмкIэ утыку къихьащ. Нэрылъагъущ Урысейм и графикэ гъуазджэм иджыри зы вагъуэшхуэ къызэрыщыкъуэкIар. КъуэкIыпIэ Гъунэгъур гъунэгъу? Пащтым и ныбжьэгъу, «Советская молодежь» газетым жэуап зыхь и секретарь ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэгуэрым къыхуозэри, къоупщI: «Сириемрэ Иорданиемрэ кIуэн гуп зэхузошэс, унэкIуэн?» — жеIэри. Герман къэуIэбжьащ: хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм уахыхьэныр пщIыхьэпIэм хуэдэт, ахэр щыпсэу щIыпIэхэм иджыри адыгэ куэд нэсатэкъым. Апхуэдэу Пащтыр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къыщыхутащ, дэни лъэIэс хабзэхъумэхэр къыпэрымыуэу и сурэт нэгъунэ здрагъэшащ. Китай искусствовед Ван Джун Харбин щыхуэзащ. 2007 гъэ Къэбэрдей гъатхэмрэ Мэзкуу и щIымахуэмрэ хокIри, Дамаск нос. Сирием градус 25-м нэсу дыгъэр щыжьэражьэт. Илъэс 11 и пэкIэ Израилым иубыда Джолан лъагапIэхэм иса адыгэхэм я щхьэр щIахьэн хуей хъуат я псэр кърагъэлу, ауэ адыгэ бзылъхугъэ Уджыхъу КIунэ КъунейтIрэ яхудэкIакъым Сирием и дзэхэм къагъэзэжыху. Къэралым и Iэтащхьэ Асад Хафез а цIыхубзым къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэр хуигъэфэщауэ щытащ, «КъунейтIрэ и анэ» цIэри къыфIригъэщащ. Герман зыщимыгъэнщIу щIэупщIэрт Сириемрэ Иорданиемрэ ис и лъэпкъэгъу мин 200-м щIигъум я псэукIэм, нэхъыбэ зэрилъагъуным, нэхъ куэд зэрицIыхуным яужь итт. Пащтым и сурэтхэр СССР-м и посольствэм щагъэлъэгъуащ, дэнэкIэ мыкIуэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм адыгэхэр къапежьащ. Абыхэм адыгэбзэр фIы дыдэу ящIэ, я хабзэри яIыгъыжщ. Псалъэм папщIэ, Иорданием и пащтыхьыр зыпIар адыгэ бзылъхугъэщ, езы пащтыхь сэрейми нэхъ гъунэгъу дыдэу унафэщIым къыщыбгъурытыр адыгэхэращ. Абыхэм яхэтщ къэралыр зезыхьэхэр, лIыкIуэхэр, генералхэр, депутатхэр, тхакIуэхэр, артистхэр, композиторхэр, спортсменхэр. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр ХХ лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм пщIондэ Иорданиемрэ Сириемрэ щыщ адыгэхэм Хэкужьым адыгэ имысыжу къащыхъуу зэрыщытарщ, псори Сыбыр яшэу ягъэкIуэдауэ къалъытэрт. Абы къыхэкIыу, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр нарт лIыхъужьхэм палъыту ягъэхьэщIэрт. Апхуэдэ дэтхэнэ зы зэIущIэри Герман куууэ зыхищIэрт, Хэкужьым хуэпабгъэ псэхэм я къарум езым и гущхьэри къызэригъэдзэкIыу. Мы ежьэгъуэм иужьщ Герман сурэт гуп щищIар, псоми «Нэпс щIэзыгъэкI розэ» цIэр яфIищу. Сыт ягъейр а розэхэм? Я Хэкужьра? Iуащхьэмахуэ? Iуащхьэ Махуэр — Насып Iуащхьэр — адыгэм дежкIэ дахэу узыIуплъэ Iуащхьэ къудейкъым. Ар адыгэм и гум, и псэм хэпщIа Насып Iуащхьэщ. Батырыбжьэр зыхуэфащэр Тхылъ графикэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ сурэтыщIым и хъэтIыр тхакIуэм игу ирихьыным. Апхуэдэу къэхъумэ, а тIур тыншу зэгуроIуэ. Абы и щапхъэщ КIыщокъуэ Алимрэ Пащты Германрэ зэрызэдэлэжьар. УсакIуэр а зэманым цIыху цIэрыIуэт, республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэт, абы и пэкIэ Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу щытат. КIыщокъуэм и «Дамыгъэ» усэ тхылъыр игъэщIэрэщIа нэужь, усакIуэшхуэм абы дзыхь къыхуищIащ «Батырыбжьэри». Абы Пащтыр елэжьат езым щIэуэ къыхилъхьа ксиллографие IэмалымкIэ. А лэжьыгъитIым къакIэлъыкIуащ КIыщокъуэм и «Усэ шэрыуэхэри». СурэтыщIым и зэфIэкIыр къабыл зэрищIам и щыхьэту, КIыщокъуэм ныбжьэгъу хуэхъуат Герман и адэ Суфадини. ЩыIэщ ныбжьэгъугъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Кулиев Къайсын Пащтым и гъащIэм къыщыхыхьар нэхъ иужькIэщ. Ар цIыху къызэрыгуэкIт, и гур хэти хузэIухауэ. Зым нэхъри нэхъ лъагэу зибжыжыртэкъым, зэгъэзахуи хэмылъу, хьэлэлт: зым шей дефэнт, адрейм мэл дишхынт. Герман Кулиевым и усэ тхылъ зыбжанэм сурэт хуищIащ. Ахэр къыщагъэлъэгъуащ Чехословакием, Венгрием, Югославием, Болгарием, нэгъуэщI къэрал куэдми. Кулиевыр КIыщокъуэм нэхърэ илъэсищкIэ нэхъыщIэт. А тIум куэдрэ ягу къагъэкIыжырт КIыщокъуэм Кулиевыр псэзэпылъхьэпIэм кърихауэ зэрыщытар. УсакIуитIыр зэрытхэр бзэ зэмыщхьт, зыпIари лъэпкъ зырызщ, ауэ щыIэщ а псом нэхърэ нэхъ лъагэ гуэр — ар ныбжьэгъугъэрщ. КIыщокъуэми зэрыжиIащи: «Дэ тIури Шэджэмыпсым дефащ: уэ — нэхъ ипщэкIэ, сэ — нэхъ ищхъэрэIуэкIэ». Сыту къаймэщIэкIрэ нобэ цIыхухэм апхуэдэ зэкъуэтыныгъэ! Кавказ поэмэхэр ИлъэситхукIэ елэжьащ Пащтыр Лермонтовым и кавказ поэмэхэм сурэт хуэщIыным. «Демон» къудейм и закъуэ илъэс псо щIэгупсысащ. СурэтыщIыр щIэхъуэпсырт езым и иллюстрацэхэр иту Лермонтовым и тхылъ бзитIкIэ — урысыбзэрэ езым и анэдэлъхубзэкIэ къыдэкIыну. Тегушхуэри, КIыщокъуэм елъэIуащ «Измаил-бей» поэмэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIыну. КIыщокъуэр пыгуфIыкIащ: ар Iуэху хъарзынэт, ауэ… «КIыщокъуэм щIимыдар гурыIуэгъуэщ, — жеIэ Пащтым, — Лермонтовым и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщу «Измаил-бейр» ехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ поэмэщ, ар совет зэхэтыкIэм хэзагъэ дыдэу щыттэкъым». Пащтым Лермонтовым и кавказ поэмэхэм трищIыкIа гравюрэхэр япэ дыдэ утыку къыщрихьар Иркутск щекIуэкIа Урысейпсо выставкэрт. Абыхэм зэраIуплъэу «Детская литература», «Советский писатель» тхылъ тедзапIэхэм я унафэщIхэр Герман къыбгъэдыхьэри къепсэлъащ и сурэтхэр къагъэсэбэпыну хуит ищIыну. ИужькIэ ахэр ящэхуащ къэралым и музей куэдми. Путин Владимир зрегъэцIыху Пушкиныр къызэралъхурэ илъэс 200 щрикъум ирихьэлIэу Пащты Герман къыдигъэкIащ усакIуэ щэджащэм и тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэр щызэхуэхьэса тхылъ, а тхыгъэхэм езым хуищIа сурэтхэр щIыгъуу. Абы и презентацэ телъыджэ Красноярск щекIуэкIащ. ИужькIэ а лэжьыгъэм СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм Пушкиным и медалыр къыхуигъэфэщащ. Пушкиным и цIэкIэ музей къыщызэIуахым, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Екатериноградскэ станицэм Пащтыр ирагъэблэгъат и тхылъри абы щагъэлъэпIэну. Таурыхъым щыщу къыпфIэщIырт урыс усакIуэшхуэм и фIыгъэкIэ Пащтыр а музейм Путин Владимир зэрыщыIущIар. Тхылъыр иримыту дауэ хъунт? «Сыт ксиллографием къикIыр?» — къеупщIащ Урысей Федерацэм и Президентыр сурэтыщIым, тхылъым ириплъа нэужь. Герман къэралым и унафэщIым жриIащ тхылъымпIэм трагъэуэну сурэтыр япэ щIыкIэ пхъэм щытращIыхьым деж абы ксиллографиекIэ зэреджэр, апхуэдэ сурэт щIыкIэ куэд щIауэ зэрыщыIэр, иджы езымрэ и гъэсэнхэмрэ къызэрагъэщIэрэщIэжыр. Президентым и нэгу къищырт тхылъыр гурыхь зэрыщыхъуар. Вагъуэр вагъуэм йопсалъэ Хэт и тхылъ иджы узэлэжьынур?» — къоупщI куэдрэ Герман и цIыхугъэхэр. Зэгуэрым дихьэхауэ щытащ тхакIуэ цIэрыIуэ Маркес Габриэль Гарсиа, ауэ сурэт хуищIын хуэдизу зыщIиубыдакъым. Хэт щIэмыхъуэпсыр Байрон, Шекспир сымэ я тхыгъэхэм сурэт хуащIыну? Германи щIохъуэпс. Ауэ зэхуэзэну пIэрэ абыхэмрэ адыгэ сурэтыщIымрэ? Дауэ жэуап ептыфын абы? Лермонтовым сатыр гуэр иIэщ «Вагъуэр вагъуэм йопсалъэ» жиIэу. Апхуэдэщ тхылъым ущелэжькIи: псэхэр зэрощIэ, зэрыщIэмэ, итIанэщ лэжьыгъэр щыкIуатэр. Пащтым и псэр блэкIакъым фIыуэ илъагъу адыгэ усакIуэхэм, Пушкиным, Лермонтовым. Иджыпсту хэт ищIэн Герман и псэм здиунэтIыну лъэныкъуэр. ЗэзыдзэкIар Чэрим Марянэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26263.txt" }
Гуп къыхэхар яубзыху Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №31-м кикбоксингымкIэ (фулл-контакт лIэужьыгъуэ) республикэм и чемпионат, КъБР-м пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ зэпеуэ щекIуэкIам спортсмени 130-рэ кърихьэлIащ. Абы кърикIуахэмкIэ яубзыхуащ мэлыжьыхьым и 5 — 9-хэм Урысей Ипщэм и чемпионат Тебэрды къалэм щекIуэкIынум, Темрезовым и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэу накъыгъэм Налшык къалэ щызэхыхьэнум, зи зэфIэкI щызыгъэлъэгъуэну КъБР-м и командэ къыхэхар. 1996 -1997 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьащ Урыс Замудин (кг 42-рэ), Апыч Тимур (кг 45-рэ), Къанокъуэ Хьэмзэт (кг 51-рэ), Борсэ Азнаур (кг 51-рэ), Шыкъ Аслъэн (кг 54-рэ), Куэшмэн Алан (кг 57-рэ), Жыгун Эдуард (кг 60), Тогузлоев Марат (кг 60), Къанокъуэ Елдар (кг 65,5-рэ), Къанокъуэ Башир (кг 67-рэ), Борсэ Къантемыр (кг 71-рэ) сымэ. 1995 -1996 гъэхэм къалъхуахэм къахэжаныкIащ Къущхьэ Руслан (кг 51-рэ), ШэнтIыкъу Андемыркъан (кг 54-рэ), Къанкъул Арсен (кг 57-рэ), Гъэунэ Ислъам (кг 60), Теунэ Мухьэмэд (кг 67-рэ), Алборэ Амир (кг 71-рэ), Хъуромэ Залым (кг 91-рэ) сымэ. 1994 гъэм къалъхуахэмрэ нэхъыжьхэмрэ ящыщу ехъулIэныгъэ яIащ ДыщэкI Ахьмэд (кг 57-рэ), Дургалиев Рэмэзан (кг 60), Нэдгъэгъу Хьэзрэталий (кг 67-рэ), Бозий Анзор (кг 75-рэ), Бахъсэн Рэмэзан (кг 81-рэ), ХъутIэ Мартин (кг 86-рэ) сымэ. Спортсменхэр я гъэсэнщ тренерхэу Мэшыкъуэ Валерэ, Шэру Мурат, Саралидзе Айдын, Аслъэн Мусэ, Къудей Алим, ДыщэкI Аслъэнбэч, БецIыкIу Зубер, БецIыкIу Хьэзрэт, Куэшмэн Рустам сымэ. Зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, КъБР-м кикбоксингымкIэ и федерацэм конференц къызэригъэпэщащ. Зэрылэжьэну щIыкIэхэр абы щаубзыхуащ, тренер, судья къахэжаныкIахэм гулъытэ хуащIащ. Гъэунэ Светланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26287.txt" }
Налшыкдэсхэм я дыжьын медаль Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Бубукин Валентин и фэеплъ V дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ футбол зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэр иухащ. Зэпеуэр щекIуэкIащ Сочэ къалэ топджэгум зыщыхуагъасэу щыIэ «Дыгъэмыс» комплексым. КIэух зэIущIэм щызрихьэлIащ Грознэ къалэм и «Рамзан» футбол академием и гупымрэ Налшык и «Эльбрус»-мрэ. Ар бжыгъэр 1:1-уэ яуха щхьэкIэ, шэшэнхэм пенальтикIэ текIуэныгъэр къахьыжащ. Арати, ди футболистхэм дыжьын медалхэр къаIэрыхьащ. Ещанэ увыпIэр хэгъэрейхэм ялъысащ. Зэпеуэм и футболист нэхъыфI хъуащ Грознэм щыщ Матаев Исмэхьил. Гъуащхьауэ нэхъ Iэзэу къалъытащ налшыкдэс Устраханов Умар. «Гъуащхьэхъумэ нэхъыфI» къыфIащащ Налшык икIа Бэрокъуэ Ислъам. Ди щIалэхэм дыжьын медалхэр къаритащ Урысей Футбол Союзым щIыхь зиIэ и унафэщI Колосков Вячеслав. «Командэхэм футболым зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр къагъэлъэгъуащ, кIэлъыплъакIуэхэри гуащIэу екIуэкIа зэпеуэм, псом хуэмыдэу пенальти еуэгъуэм дихьэхыпэу кIэлъыплъащ», — жиIащ абы. КIэух зэхьэзэхуэр гъатхэпэм и 31 пщIондэ екIуэкIынущ. Абы хэтщ Урысейм и къалэ, щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ, СНГ-м, Абхъазым къикIа команди 160-м щIигъу. Мы зэхьэзэхуэр 2009 гъэм щыщIэдзауэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ. Абы лъандэрэ псори зэхэту зэпеуэм кърихьэлIащ Урысейм, Азербайджаным, Армением, Беларусым, Къэзахъстаным, Сербием, Украинэм, Узбекистаным, Абхъазым къикIа командэ 600-рэ спортсмен 8000-м щIигъурэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26291.txt" }
ЗэIузэпэщ ящI Налшык щыIэ Абхъазым и утыр зэIузэпэщ щIыным адэкIи пащэнущ. Иужьрей илъэситI зэкIэлъыкIуэм абы зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр игъуэтащ: асфальтым и пIэкIэ плиткэ дахэхэмкIэ къращIыкIащ, и хъуреягъыр къахухьащ, лъэныкъуитIымкIи иIэ дыхьэпIэхэр автотранспортым хузэхуащIри, лъэсырызекIуэхэм хуиту хузэIуахащ, тетIысхьэпIэхэр щагъэуващ. Дауэдапщэ Iэтахэр зэрыщрагъэкIуэкIым и мызакъуэу, мыбы сабийхэми балигъхэми я зэманыр щагъакIуэ, коляскэ зыIыгъ анэхэми хуиту къыщакIухь. Утыр егъэдахэ и кIыхьагъкIэ егъэкIэкIа жыгхэм я лъабжьэм щхъуантIагъэхэр екIуу зэрыщыхасам. Мыбдеж щызэфIагъэкIа лэжьыгъэхэм ящыщщ, тхьэмахуэ махуэхэм ирагъэкIуэкI мэкъумэш жармыкIэм къекIуалIэ IуэхущIапIэхэм я транспортхэми щэхуакIуэхэми я увыIэпIэр щхьэхуэу асфальткIэ къызэрыращIыкIари. Апхуэдэу, транспорт куэд щызекIуэ Лениным и проспектыр зэпыбупщIу утым уихьэн хуей щыхъукIэ, дыхьэпIитIми яхуэзанщIэу тращIыхьа гъуэгу зэпрыкIыпIэхэр лъэсырызекIуэхэм сэбэпышхуэ къахуэхъуащ. Iыхьэ зыбжанэу зэпыудауэ кърахьэлIа лэжьыгъэхэм дяпэкIи къыпащэнущ: дыхьэпIэ къэс пандусхэр щагъэувынущ, щхъуантIагъэ гъэкIыпIэхэр гъэщIэрэщIауэ къахухьынущ. Лэжьыгъэ псори и кIэм нагъэсмэ, шэч хэлъкъым, Абхъазым и утыр зэIузэпэщ дыдэ зэрыхъунум. Шэрэдж Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26293.txt" }
Насыпыр зэрызэхэлъыр Насып. Дунейр къызэриухуэрэ цIыхур зыщIэхъуэпс псалъэ дахэр къыщежьэр дэнэу пIэрэ? Сэ сызэрегупсысымкIэ, насыпыр зы лъэныкъуэ закъуэкъым зэпхар. Ар Iыхьэ зытIущу гуэшауэ цIыхум къыдогъуэгурыкIуэ. Псом япэу, и анэ-адэр хуэпсэууэ, къыдалъхуар хуэузыншэрэ яшхын-ящIэн ягъуэту балигъыпIэм иувэмэ, ар зы насып гъуэгуанэщ. АдэкIэ еджапIэр къыщаухкIэ етIуанэ насып Iыхьэм щIедзэ — ар IэщIагъэ къыхэхынырщ. IэщIагъэр гурэ псэкIэ къыхэхын хуейщ, ар гъащIэ гъусэу къыбдэпсэунущ, уигъэдэхэнущ, уиIэтынущ. КъуэщIысокъуэ Мадинэрэ Инчы Иринэрэ. Сэ сыегъэджакIуэщ. Сызэрысабийрэ фIыуэ слъагъу IэщIагъэм псом япэу сыдезыгъэхьэхар си япэ егъэджакIуэ Къумыкъу Лидэщ. Япэ егъэджакIуэм сабийм бгъэдилъхьэ щIэныгъэрщ, гъэсэныгъэрщ абы гъащIэм щыпхишыну лъагъуэм лъабжьэ хуэхъур. Адэ-анэм хуэдэу, япэ егъэджакIуэр цIыкIухэм я дежкIэ щапхъэщ. А цIыхубз зэкIужыр лэжьакIуэ щыкIуэкIэ ди уэрамымкIэ блэкIырти, пщэдджыжьым сыхуэзэу и сумкэр къеIысхыу еджапIэм нэс сыкIуамэ, сыегъэджакIуэу зыкъысщыхъужырт. Школым сыкъикIыжа нэужь, хьэблэ сабийр езгъаджэрт, махуэм къэсщIар абыхэм езгъащIэрт. Жэщым пщIыхьэпIэу слъагъурт сыегъэджакIуэу. Абы щегъэжьауэ сэ къызгурыIуащ сыкъызыхуигъэщIа IэщIагъэр зэрыарар. Апхуэдэу еянэ классыр къэзухри, Налшык педучилищэм сыщIэтIысхьащ. Абы иужькIэ, сылажьэурэ, КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым сыщIэтIысхьэри, ари къэзухащ. Зы махуи сыщIемыгъуэжауэ илъэс 33-рэ хъуауэ цIыкIухэм сахэтщ. Нобэ щIэрыщIэу си гъащIэ гъуэгум къытезгъэзэжын хуей хъуами, къыхэсхынур а IэщIагъэрат. Аращ насып жыхуаIэри — фIыуэ плъагъу IэщIагъэм умыужэгъуу урилэжьэнырщ. Ещанэ насып Iыхьэр унагъуэ узыншэ уиIэнращи, абыкIи сынасыпыфIэт. ПщIэрэ нэмысрэ зэрылъ АфIэунэхэ я унагъуэм сихьа нэужьи фIыуэ слъагъу си лэжьыгъэр къыздаIыгъащ, къыздаIэтащ. Си IэщIагъэр си бынхэми къыхахащ. ХъыджэбзиплI сиIэщи, щыр егъэджакIуэщ: нэхъыжьыр, Марьянэ, инджылызыбзэр Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт ещанэ школым щрегъэдж, абы къыкIэлъыкIуэ Оксанэ Налшык НШДС №18-м пэщIэдзэ классхэр щрегъаджэ, ФатIимэ программист IэщIагъэр иIэщ, нэхъыщIэ Ланэ КъБКъУ-м и ПМНО къудамэм и япэ курсым щIэсщ. Езгъэджахэми къахэкIащ си IэщIагъэр къыхэзыхахэр. Ахэр куэд мэхъу. СыщогуфIыкI я гум дыхьэу, яфIэфIу ахэр IэщIагъэм зэрырилажьэм. Иджыпсту куэдрэ зэхыбох: «ЗыщIыпIи щIэмыхуэфаращ егъэджакIуэу кIуэр», е «ЛэжьапIэншэу си гъащIэр схьынуми, егъэджакIуэ сыхъуну сыхуейкъым», — жаIэу. Апхуэдэ псалъэхэр си жагъуэ мэхъу. Сыт и уасэ я нэ цIыкIухэр гуфIэу, яжепIэ псори яфIэгъэщIэгъуэну къоплъ сабийм игу удыхьэныр! И гурылъ щэхухэр дзыхь къыпхуищIу уи чэнджэщ хуэныкъуэ ныбжьыщIэм псалъэ пэжкIэ удэIэпыкъумэ, аракъэ насып жыхуаIэр. Школыр къэзыух цIыкIухэм сытым щыгъуи яжызоIэ егъэджакIуэ IэщIагъэм хуэдэ зыри зэрыщымыIэр. ЦIыхур насыпыфIэныр егъэджакIуэми куэдкIэ елъытауэ жыпIэ хъунущ — щIэныгъэ зэрыбгъэдилъхьэм и мызакъуэу, и гъэсэным хьэл-щэн дахэ зэрыхилъхьэным йолIалIэ, и дуней еплъыкIэм, и гупсысэм зрегъэужь, гъащIэм лъагъуэ пэж зэрыщытригъэувэным, къызыхэкIа лъэпкъыр игъэпэжу, и бзэр, и лъахэр фIыуэ илъагъуу, хэкупсэу игъэсэным хущIокъу егъэджакIуэр. ЕгъэджакIуэр псэкIэ зэи жьы хъуркъым: ар сыт ныбжьым итми, еш имыщIэу, и щIэщыгъуэу сабийм ядоджэгу, ядодыхьэшх, я гукъеуэр ядегуэш, зэпеуэ, джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэр, дерс зэIуха зэмылIэужьыгъуэхэр къигъэсэбэпкIэрэ, цIыкIухэр еджэным дрегъэхьэх. ЕгъэджакIуэр псэуху йоджэ, ищIэмкIэ арэзы мыхъуу щIэ гуэр мэлъыхъуэ. Ари насыпщ — пщIэмкIэ умыарэзыуэ щIэ улъыхъуэныр. УлъэщIэмыхьэ жыхуаIэм хуэдэу гъащIэм зехъуэж. ЩIэщыгъуэщ, гъэщIэгъуэнщ иджыпсту егъэджэныгъэм къыхыхьа IэмалыщIэхэр. Псэ къабзэу ди Тхьэшхуэм къигъэщI сабийхэр дуней еплъыкIэ тэмэм яIэу, цIыху хэтыкIэ ящIэу, хабзэр я Iэпэгъурэ ди анэдэлъхубзэр яIурылъу балигъ гъащIэм хэзыгъэувэфынухэр диIэн хуейщи, фыкъыхузоджэ: фыщымышынэ егъэджакIуэ IэщIагъэм. Си еджакIуэм и лэжьыгъэм щитха псалъэхэмкIэ сухынщ си тхыгъэр: Сыхъумэ сэ зэгуэр цIыху щхьэпэ — ЩIэныгъэлI е IэщIагъэлI, Ар зи фIыщIэу щытыр уэрщи, ПщIэрэ щIыхьрэ Тхьэм уэ къуит. Уи гугъуехьхэми къыпэкIуэу Жьыщхьэ махуэ Тхьэм утхуищI! Мы псалъэхэм нэхъ насып сэ гъащIэм сыщылъыхъуэркъым. КЪУЭЩIЫСОКЪУЭ Мадинэ, Къулъкъужын Ипщэ дэт езанэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26296.txt" }
Акъылыр ландыщэщ, гъэсэныгъэр дыщэ жыгщ Налшык къалэ администрацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым сабий садым кIуэ цIыкIухэм папщIэ иригъэкIуэкIащ «Умники и умницы» олимпиадэр. Iыхьищу гуэшауэ щыта зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтащ республикэм и психолог, егъэджакIуэ, гъэсакIуэ нэхъыфIхэр. Абыхэм зэхалъхьа лэжьыгъэхэр джэгу-зэпеуэ жыпхъэм иту екIуэкIащ. Зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэр Налшык дэт сабий гъэсапIэхэм щекIуэкIащ. Абы къыщыхэжаныкIахэр зыхэта зэпеуэхэр къалэ еджапIихым (лицей №2-м, 14-нэ гимназием, курыт еджапIэ №7, 9, 17, 18-хэм епхауэ лажьэ сабий садхэм) щыIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ мы Iыхьэм сабий сад 23-м я ныбжьыщIэ 69-рэ зэрыхэтари. Балл нэхъыбэ дыдэ къалэжьащ курыт школ №31-м епхауэ лажьэ сабий сад №38-мрэ прогимназие №28-мрэ я гъэсэнхэм. ЕтIуанэ увыпIэр лъысащ курыт еджапIэ №9-м и сабий гъэсапIэ №44-м, ещанэ хъуащ курыт школ №17-м и сабий сад №31-м екIуалIэхэр. Олимпиадэм сыт и лъэныкъуэкIи къыщыхэща Мутуевэ Iэсият, Чэтбий Иланэ, Чочаевэ Лидэ, МафIэдз Лянэ, Мерзантовэ Салимэ, Пензевэ Динарэ, Иванченкэ Софье, Долженкэ Дмитрий сымэ джэгу-зэпеуэм и ещанэ Iыхьэр щекIуэкIа прогимназие №70-м щагъэлъэпIащ, щIыхь тхылъхэр, IэфIыкIэхэр, саугъэтхэр иратащ. — Сыт мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэр къыщIызэдгъэпэщыр? Мыбы и мыхьэнэр псом я дежкIи гурыIуэгъуэу къысщохъу. Олимпиадэм и фIыгъэкIэ, мы сабийхэр япэ классым кIуэнущ щIэныгъэ лъабжьэ яIэу, ахэр нэхъ набдзэгубдзаплъэу щытынущ, я гупсысэри узэщIа хъунущ, — жиIащ ЕгъэджэныгъэмкIэ департаментым зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Щомахуэ Ларисэ. Курыт школ №3-м епха садым и гъэсакIуэ нэхъыжь Шал Людмилэ жиIащ зэхьэзэхуэхэр сабийм и акъылым зезыгъэужь IуэхуфIу зэрыщытыр. «Иджырей гъащIэм сабийр тыншу, екIуу хэтынымкIэ, зрихьэлIэ Iуэхухэр тэмэму зэфIихынымкIэ сэбэпщ ди департаментым къызэригъэпэща джэгу-зэпеуэр. Ди гъэсапIэм сабий 271-рэ диIэщ, илъэси 2 — 7 ныбжьым иту. Абыхэм дазэрыдэлажьэ программэм къигъэув къалэнхэм къыхыдогъэщхьэхукI цIыкIухэм я узыншагъэм кIэлъыплъыныр, я къэухьым зегъэужьыныр», — жиIащ Людмилэ. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26298.txt" }
Швецием къикIа журналистым ШахэкIеишхуэ къыхех Тиражышхуэ хъууэ махуэ къэс Швецием къыщыдэкI «Dagens Nyheter» газетым мыгувэу къытехуэнущ Кавказым и тенджыз ФIыцIэ Iуфэр зи хэкужьу щыт шапсыгъ адыгэхэм я тхыдэм, щэнхабзэм, иджырей гъащIэм ятеухуа тхыгъэшхуэ. Зи гугъу тщIы газетым и корреспондент Невеус Ингмар иджыблагъэ ШахэкIеишхуэ (Кичмай Ин) шапсыгъ къуажэм щыIащ. Скандинавием щыщ журналистыр Сочэ къыщIэкIуар Къуэбыдэ (Красная Поляна) щрагъэкIуэкI дунейпсо къэпщытэныгъэ зэпеуэхэм кърикIуахэм щыгъуазэ захуищIын щхьэкIэщ. А къалэныр зэфIигъэкIа иужь, Невеус Ингмар Шахэ псыхъуэ дыхьащ. Аращ зыдэтыр ар хьэщIапIэ здаша шапсыгъ къуажэри. Бысымхэм журналистым кърагъэплъыхьащ ШахэкIеишхуэ жылэр зэрыгушхуэ нэгузыужьыпIэхэу «Псыкъелъэ 33»-р, Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр, Мыгу лIакъуэм я щIыхь пхъэбгъур, Ацумыжьхэ я унагъуэм къызэригъэпэща лъэпкъ-щэнхабзэ пщIантIэр, нэгъуэщIхэри. ХьэщIэм псори фIэгъэщIэгъуэнт: адыгэхэм я тхыдэм теухуа напэкIуэцIхэри я хабзэ-бзыпхъэхэри. Ар щIэупщIэрт цIыхубэм хуэсакъыу нобэм къигъэса IэщIагъэхэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэм, апхуэдэуи, езы шапсыгъхэм захъумэжын, заужьын папщIэ щыIэ хэкIыпIэхэм, нэгъуэщIхэми. — Урысейм сэ куэдрэ сыкъокIуэ, — жиIащ Невеус Ингмар, «Шапсугия» газетым и корреспондентым щепсалъэм. — Ауэ Кавказым иджы етIуанэу сыкъихьэу аращ. Илъэситху и пэ Шэшэныр зэзгъэлъагъун схузэфIэкIащ. Мы иужьрей гъуэгуанэм къриубыдэу Сочэ щыслъэгъуар телъыджэ дыдэ сщыхъуащ. Зэпеуэхэм хуагъэхьэзыра ухуэныгъэхэмрэ абыхэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм я инагъымрэ уогъэщIагъуэ. КъищынэмыщIауэ, апхуэдизу щIэгъэхуэбжьауэ иджырей дунейм зыщиужь мы лъэхъэнэм, зи бжыгъэкIэ куэд мыхъу адыгэхэм фи хабзэмрэ бзыпхъэмрэ, абы фи дуней тетыкIэри щIыгъуу, зэрыфIыгъыжыфыр телъыджащэкъэ?! Мыбдежым зыми емыщхь гъащIэ зэрыщекIуэкIыр зыхыбощIэ. Ар гъэнщIащ зэпIэзэрытыгъэрэ лэжьыгъэкIэ — адэжьхэм къыхуагъэна хабзэхэм зэрытетым гу лъыботэ. Шапсыгъхэм хьэщIэ зэрырагъэблагъэм ебгъэщхь хъун зы щIыпIи щыслъэгъуакъым. Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сыфхуохъуахъуэ мы щIыпIэм исхэм мамырыгъэ фиIэну, ехъулIэныгъэрэ тхъэгъуэрэ фыщымыщIэну! Ныбэ Анзор.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26300.txt" }
ЦIыхубзхэр зыгъэпIейтейхэр Республикэм ис бзылъхугъэхэр зэкъуэувэу жылагъуэ Iуэхум жыджэру зэрыхыхьэрэ илъэс 90, гъатхэпэм и 8-р Урысейм зэрыщагъэлъапIэрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин яIущIащ цIыхубзхэм я район, республикэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм. Ар теухуат анэхэр зыгъэпIейтей Iуэхухэмрэ сабий сымаджэхэм дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъуфынумрэ. Къумахуэ Мухьэдин я махуэшхуэмкIэ бзылъхугъэхэм иджыри зэ гуапэу ехъуэхъуащ. — ЗэрыфщIэщи, Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ фи махуэшхуэм теухуа пшыхь гукъинэжхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр. Жьэгу мафIэр зэрыфхъумэм и мызакъуэу, цIыхубз акъылыфIэхэм къэрал, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру фыхэтщ. ЗэрытщIэщи, бзылъхугъэм и къалэн нэхъыщхьэр анэ хъунырщ. Бын гъэсэныр нэхъыбэу фи пщэ къыдохуэри, абыи фызэрыпэлъэщыр нэрылъагъущ. Мамыру дыпсэун, анэхэм, сабийхэм я Iуэху дэкIын щхьэкIэ псори дызэкъуэувэу ди къарур а Iуэхум етхьэлIэну ди къалэнщ. Фи лэжьыгъэмрэ мурадхэмрэ дыщывгъэгъуазэмэ, фызыгъэпIейтейхэр утыку къифхьэмэ, зэгъусэу тхузэфIэгъэкIынухэр дыубзыхунщ, — жиIащ Къумахуэ Мухьэдин. Абы къыхигъэщащ анэ быныфIэхэмрэ сабий сымаджэхэмрэ къэралми ди щIыналъэми гулъытэ зэрыщыхуащIыр, бынитху е нэхъыбэ зыпIахэм папщIэ «Анэм и щIыхь» дамыгъэр республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен 2007 гъэм зэригъэувар. ЦIыхубзхэм я республикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Шорэ Раисэ тепсэлъыхьащ республикэм и щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, экономикэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм япэу хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа, Хэку зауэшхуэмрэ абы иужь зэманымрэ жэщ-махуэ ямыIэу, фабрикэхэмрэ заводхэмрэ щылэжьа бзылъхугъэ гуащIафIэхэм. ЗэIущIэм кърихьэлIахэм къыхагъэщащ цIыхубзхэм я зэгухьэныгъэу 8 республикэм зэрыщылажьэр, абыхэм я къудамэхэр районхэм зэрыщыIэр, мыкоммерцэ IуэхущIапIэу 833-м щыщу 121-м бзылъхугъэхэр зэраунафэщIыр. Апхуэдэу зэхуэсахэр тепсэлъыхьащ унагъуэм и зыужьыныгъэм и лъабжьэу къалъытэ Iуэхугъуэхэм, бзылъхугъэхэм къыхалъхьэ проектхэр ягъэзэщIэн папщIэ мылъкукIэ къадэIэпыкъун зэрыхуэныкъуэм, сабий ныкъуэдыкъуэ зиIэ анэхэм гугъуехьхэр ящыгъэпсынщIа зэрыхъуным, щIалэгъуалэ зэхуэсхэр, тренингхэр къуажэхэм къыщызэрагъэпэщыну зэрамурадым. Зэхыхьэм хэтахэм къыхагъэщащ республикэр зэрыгушхуэ цIыхубз гуащIафIэхэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащIыну, тхыгъэхэмрэ нэтынхэмрэ траухуэну къызэралэжьыр. КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и фIыщIэ тхылъыр Къумахуэ Мухьэдин яритыжащ цIыхубзхэм я республикэ зэщIэхъееныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI бзылъхугъэхэм. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26303.txt" }
Псы уасэр щхьэщах Бахъсэнёнкэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Абрэдж Хьэутий и жэрдэмкIэ къыхалъхьауэ щыта «Унэ лъапсэ нэхъыфI» зэпеуэм мы гъэми пащэнущ. Илъэсыр икIыху екIуэкIыну зэхьэзэхуэм жылэм и хьэблэщIэхэм ящыщ псори хыхьэну хуитщ. ЗэпеуэмкIэ комиссэм лъапсэхэм я къабзагъэр, я зэIузэпэщагъэр, щхъуантIагъэхэм зэрыщегугъур, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр зэратыр къилъытэнущ. Нэгъабэрей зэхьэзэхуэм унагъуэ 17 щытекIуащ. Абыхэм я унэ блынхэр ягъэдахэ хэхауэ хуагъэхьэзыра «Лъапсэ нэхъыфI» дамыгъэхэм. КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, къуажэм и зэIузэпэщ зыужьыныгъэм дежкIэ апхуэдэ зэпеуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Я лъапсэхэр къабзэу зэрызэрахьэм къыдэкIуэу, Iэшэлъашэри щхъуантIагъэкIэ зэрагъэдэхэным цIыхухэр хущIокъу. — Къуажэдэсхэр зэпеуэм хуэжыджэрщ, сыту жыпIэмэ, абы щытекIуэхэм къагъэсэбэп псым пэкIуэр илъэс псокIэ ящхьэщытхынущ, — жеIэ жылэм и унафэщI Абрэдж Хьэутий. АЛОКЪУЭ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26305.txt" }
Гъуэгуанэ кIыхь Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 95-рэ ирикъуащ. Абы теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэм ирагъэблэгъащ IэнатIэм и ветеранхэр, МВД-м деж щыIэ Жылагъуэ советым хэтхэр. Ар иригъэкIуэкIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ полицэм и генерал-майор Васильев Сергей. ЗэIущIэр къызэIуихри, махуэшхуэм кърихьэлIахэм псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ министрым. Ар кIэщIу къытеувыIащ хабзэхъумэ IэнатIэм и къежьапIэм, ар зэрызэфIэувам. КъБР-м щыIэ МВД-р илъэс 95-рэ зэрырикъур нэхъ зыубгъуауэ ягъэлъэпIэну зэрыхуэфащэр, арщхьэкIэ республикэм щызэфIэува щытыкIэм ар къезэремызэгъыр и жагъуэ зэрыхъури къыхигъэщащ. «Япэ игъэщыпхъэ къалэнхэм захъуэжащ, ауэ сыт щыгъуи хабзэхъумэхэм я дежкIэ зызымыхъуэжыр зыщ — ар ди цIыхухэм, ди Хэкум яхуэпэжынырщ, къулыкъу яхуэщIэнырщ», — жиIащ министрым. — Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм, абы и IэнатIэхэм я унафэщIхэм, нэхъыжьхэм я Iэзагъэр я щапхъэу, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэн мытыншхэр зэфIахыфынущ. Абыхэм ящыщщ экстремизмэм пэщIэтыныр, цIыхухэм я хуитыныгъэмрэ я сэбэп зыхэлъхэмрэ хъумэныр, республикэм хабзэр, зэпIэзэрытыгъэр къыщызэгъэпэщыныр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, щIэпхъаджагъэхэм етщIэкI бэнэныгъэм кърикIуэу, илъэс къэс хэщIыныгъи диIэщ. Я тхьэрыIуэм хуэпэжу, я къалэныр ягъэзащIэу хэкIуэда ди лэжьакIуэхэр дэ зэи тщыгъупщэнукъым. КъБАССР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэу щыта, хабзэхъумэ органхэм, къэрал кIуэцIыдзэхэм я ветеранхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Советым и унафэщI Думай Борис зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ республикэм милицэ къулыкъур зэрыщызэфIэувам, абы къикIуа гъуэгуанэм, игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм, полицэм и нобэрей къалэнхэм. Думайм гуапэу игу къигъэкIыжащ IэнатIэм и зыужьыныгъэм, абы и къалэнхэр нэсу зэфIэхыным зи гуащIэ хэзылъхьахэр, унафэщI къулыкъум пэрытахэр. Абы зэрыжиIамкIэ, а зэманым нобэ хуэдэу транспорткIэ, техникэкIэ ахэр къызэгъэпэщауэ щытакъым. Уеблэмэ зы мотоциклкIэ дэни нэсырт, жэщ-махуэ ямыIэу лажьэрт, дэтхэнэри жэуаплыныгъэр зыхищIэу и къалэным пэрыувэрт, ар зэфIихырт. КъБР-м щыIэ МВД-м Уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и управленэм и ветеран организацэм и тхьэмадэ Шипилов Валерэ кIэщIу къытеувыIащ я IэнатIэм и блэкIамрэ и нобэмрэ, къыхигъэщащ нэхъапэм щIэпхъаджагъэу ялэжьыр куэдкIэ нэхъ мащIэу, бзаджащIэхэри мыкуэду зэрыщытар. Псалъэмакъым адэкIэ къыхыхьащ адыгэ актер, КъБР-м, УФ-м щIыхь зиIэ я артист, КъБР-м щыIэ МВД-м и деж щыIэ Жылагъуэ советым и унафэщI Балъкъыз Валерэ икIи къызэхуэсахэм псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ. Илъэс 95-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэ къэзыкIуа хабзэхъумэ IэнатIэм и гугъуехьхэм, ехъулIэныгъэхэм ятеухуауэ жаIахэм пищэу ар къытеувыIащ хабзэхъумэхэм я къалэн мытыншыр къызыхэщу ягъэува спектаклхэм. ЗэIущIэм кърагъэблэгъа ветеранхэм удз гъэгъахэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ иратащ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26308.txt" }
ИпэкIэ дывгъэкIуатэ Ди газетым зэрытетащи, Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Хлопонин Александр гъатхэпэм и 20-м лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ. Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен щIыгъуу, ар япэ щIыкIэ Прохладнэ районым хыхьэ Учебнэ къуажэм щыIащ, «Капитал-Инвест» ООО-м абы мыгувэу къыщызэIуахыну иджырей чырбыш заводым еплъащ. И лъэщагъ псомкIи ирагъажьэмэ, предприятэм илъэсым чырбыш мелуани 100 къыщIигъэкIынущ. Ахэр КИФЩI-мрэ Ипщэ федеральнэ щIыналъэмрэ щащэнущ. ИужькIэ, шэджагъуэм, Хлопонин Александр Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ полномочнэ лIыкIуэм деж ЩIыпIэ самоуправленэм и IуэхухэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэ. Абы щызэпкърахащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и муниципальнэ щIыналъэхэм щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ я IэнатIэхэм электрокъарум къыдэгъэхуэным, фейдэ пылъу къэгъэсэбэпыным теухуа законодательствэр зэрагъэзащIэмрэ КИФЩI-м санитар-экологие щытыкIэр щегъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ лэжьыпхъэхэмрэ. ЗэIущIэр къыщызэIуихым полномочнэ лIыкIуэм къыхигъэщащ иджырей технологием тету электрокъарум къыдэзыгъахуэ предприятэхэр зэраухуэм, псынщIэу зызыужь жыг хадэхэм зэрызрагъэубгъум республикэм и зэфIэкIым зэрыхигъахъуэр, и экономикэм лъабжьэ быдэ зэрыхуэхъур. ИкIи зэхуэсахэр къыхуриджащ зэман къагъуэту Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэфIхэм зыхагъэгъуэзэну. Зытепсэлъыхьыну я мурадхэм я гугъу щищIым, Хлопонин Александр къигъэлъэгъуащ къыхалъхьа Iуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, ахэр зэуIуу зэфIэхыным хуэфащэ унафэ къыхуагъуэтыну къазэрыпэщытыр. «Урысейм и энергетикэ агентствэ» ФГБУ-м и унафэщIым и къуэдзэ Беднов Алексей зэхыхьэм щызэпкърихащ «Электрокъарум къыдэгъэхуэным, ар фейдэ пылъу къэгъэсэбэпыным и IуэхукIэ» Федеральнэ закон №261-м щыубзыхуахэр зэрагъэзащIэр. — Мы законыр илъэсищ хъуауэ мэлажьэ. Фигу къэзгъэкIыжынщи, 2010 гъэм и гъатхэм ЕсэнтIыгу дыщытепсэлъыхьауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэм электрокъарур щызэгъэзэхуэным, энергетикэм зыщегъэужьыным теухуа Iуэхум. Абы зэрыщагъэувам тету, щIыналъэхэм зыхуэфащэ программэхэр ягъэхьэзырауэ 2011 гъэ лъандэрэ ягъэзащIэ. Иужьрей илъэс 15-м къриубыдэу иджы япэу къэралым и щIыналъэ псоми, муниципальнэ щIыпIэхэми, псэуалъэшхуэ зыубыд IэнатIэхэми электрокъарум къыдэгъэхуэным, энергетикэм зегъэужьыным зэпIэзэрыту щыхуэкIуэу хуежьащ, — жиIащ къэпсэлъам. — 2011 — 2012 гъэхэм электрокъарур зэгъэзэхуэным тещIыхьа программэхэр гъэзэщIэным федеральнэ мылъку хухахыу щIадзащ. Апхуэдэу щIыналъэ бюджетхэм, щIыпIэ самоуправленэхэм я бюджетхэм я хьэкъкIэ, абыхэм щымыщ мылъкукIэ а лэжьыгъэр къызэрагъэпэщ. Беднов Алексей къызэригъэлъэгъуамкIэ, «Электрокъарум къызэрыдагъэхуэнумрэ энергетикэм зэрызиужьынумрэ» къэрал программэм и редакцэщIэм УФ-м и Правительствэр мы махуэхэм арэзы техъуащ. Абы ипкъ иткIэ, нэхъапэми хуэдэу, федеральнэ бюджетым щыщу сом меларди 7 илъэс къэс а Iуэхум халъхьэнущ. Урысей Федерацэм ЭнергетикэмкIэ и агентствэм и унафэщIым зэрыжиIамкIэ, муниципальнэ щIыналъэхэм электрокъарур къызэрыдагъэхуэнум и хэкIыпIэ нэхъыфIхэр къыщалъыхъуэ. Абы тегъэпсыхьа программэ псори Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэщ. Мы зэманым Ставрополь крайм ейхэм хоплъэ, Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Осетие Ищхъэрэмрэ я муниципальнэ программэхэм, къызэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, я процент 70-р, процент 50-м щIигъур хьэзырщ. Дагъыстэн, Шэшэн, Ингуш республикэхэм а Iуэхур щIагъэхуэбжьэну къапэщытщ. Беднов Алексей зэхуэсахэм чэнджэщ яритащ электрокъарур къызэрыдагъахуэ щIыкIэм хуэIэзэ компаниехэм зэгурыIуэныгъэкIэ ядэлэжьэну, езыхэм я IэщIагъэлIхэри а Iэмалхэм хурагъэджэну. «КъБР-м и Муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» ассоциацэм и унафэщI, Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Пэнагуэ Максим тепсэлъыхьащ электрокъарум къыдэгъэхуэным, ар нэхъ фейдэ пылъу къэгъэсэбэпыным хуэунэтIауэ республикэм щызэфIагъэкIхэм. — Мы гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджет IэнатIэхэм къызэрапщытэ Iэмэпсымэу 4078-рэ щагъэуващ. Абыхэм я фIыгъэкIэ, электрокъарууэ киловатт-сыхьэт мелуани 7-м щIигъу, хуабэ къарууэ Гкал мин 26,6-рэ, газу кубометр мелуани 10,1-рэ, псыуэ кубометр мин 44,8-рэ — псори зэхэту сом мелуан 86,7-рэ и уасэ къыдагъэхуащ. Апхуэдэу лампIхэр иджырейхэм хуэдэкIэ, къапщтэмэ, диод уэздыгъэхэмкIэ яхъуэж. Нэгъабэ и закъуэ ди Тэрч районым и уэрамхэм сом мелуанибл и уасэ щыфIэддзащ. ЩIыбхэми псэуалъэ кIуэцIхэми къыщагъэсэбэп, щIэупщIэшхуэ зиIэ диод лампIхэр Налшык дэт «Телемеханика» ОАО-м къыщIегъэкI, — жиIащ Пэнагуэ Максим. — «Электрокъарур зэгъэзэхуэным, ар фейдэ пылъу къэгъэсэбэпыным и IуэхукIэ» Федеральнэ закон №261-м и 16-нэ статьям ипкъ иткIэ, муниципальнэ щIыналъэхэм я къалэнщ бюджет IэнатIэхэм къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIыну, энергопаспортхэр хуатхыну. Абы и лъэныкъуэкIэ республикэм лэжьыгъэ пыухыкIа щызэфIагъэкIащ. Арами, мылъкур къазэремэщIэкIым къыхэкIыу, энергокъэпщытэныгъэхэр нэгъабэ и кIэм яхунэгъэсакъым. Абы полномочнэ лIыкIуэм зыхуигъэзащ щытыкIэр къалъытэу, мы илъэсми а Iуэхум щIыпIэхэм щыпрагъэщэну. Урысейм Дыкъэзыухъуреихь дунейм кIэлъыплъынымкIэ и къулыкъущIапIэхэм КИФЩI-м щиIэ департаментым и унафэщI Севостьянов Николай зэхыхьэм щызэпкърихащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и муниципальнэ щIыналъэхэм санитар-экологие хабзэр къыщызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ лэжьыпхъэу къилъытэхэр. — Нобэ хьэуам Iугъуэрэ гъуэзу хаутIыпщхьэм и процент 90-р автотранспортым хуозэ. Псым и къабзагъэр зыхуэдэм дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэр къыбжеIэ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и псы хъумапIэхэм псы ежэхыу кубометр меларди 2-рэ мелуан 700-рэ холъадэ. Абыхэм я процент 20-р е кубометр мелуан 500-р фIейщ, гъэкъэбзакъым. Псыхэр нэхъыбэу зыуцIэпIыр псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм, АПК-м я IуэхущIапIэхэрщ, промышленнэ IэнатIэхэрщ, фIей щIэжыпIэхэрщ, псыхъуэхэм дакIутэ пхъэнкIийхэрщ. Мы зэманым хьэуам хаутIыпщхьэ ар зыуцIэпI веществоуэ тонн мелуаным щIигъу, — къигъэлъэгъуащ къэпсэлъам. — Кавказ Ищхъэрэм курортхэмрэ туризмэмрэ зэрызыщрагъэужьынум мылъкушхуэ халъхьэ, ауэ къабзагъэр къыщызэгъэпэщыным хуэфащэ гулъытэ щыхуащIыркъым. КИФЩI-м илъэс къэс кIэрыхубжьэрыхуу тонн мелуаниплIым нэблагъэ е кубометр мелуан 18-м нэс щызэтрехьэ. Абы зэпымыууэ хохъуэ. Iуэхум сыткIи хуэщIауэ, кIэрыхубжьэрыху пкъыгъуэ быдэхэр щыщIатIэу щыIэр идзыпIэ (полигон) 17 къудейщ. Адрейхэр хабзэм къигъэувхэм къезэгъыркъым, санитар-эпидемиологие экспертизэм кърикIуам и щыхьэт тхылъ яIэкъым. Округым а Iуэхур тэмэму щызэтеублакъым, зэфIэгъэкIыпхъэхэр нэгъэсауэ щыгъэбелджылакъым. ЩIыналъэ программэ хэхахэр ягъэхьэзырами, ягъэзащIэркъым. Севостьянов Николай зэрыжиIамкIэ, дызэрыт гъатхэпэ мазэм и 15-м и пэ къихуэу щIыпIэхэр къыщапщытэм, гектар 300-м щIигъум пхъэнкIий идзыпIэ IэрыщIу 530-рэ къыщахутащ. Дагъыстэным, Шэшэным, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь крайм апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр щынэхъыбэщ. Хлопонин Александр зэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ а псор щIым, дызэфэ псым зэрыхыхьэр. — Мы Iуэхум нобэ хуэфащэ унафэ къыхуэдмыгъуэтмэ, пщэдей зыпэмылъэщыжыну къалэн гугъу дыдэ ди щIэблэм къахуэдгъэнэнущ. КIэрыхубжьэрыхухэм зэрелэжьын хуей щIыкIэр, санитар-экологие щытыкIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ лэжьыпхъэхэр федеральнэ IуэхущIапIэхэм щызэпкърытхынущ. Къабзагъэм и мыхьэнэм зэпымыууэ тепсэлъыхьыпхъэщ. Дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрыдуцIэпIым дызыхуишэнкIэ хъунур, пхуэмыгъэзэкIуэжыну хэщIыныгъэ къызэрытхуихьынур цIыхухэм хьэкъыу япхыдгъэкIын хуейщ. ЩIыналъэхэмрэ муниципалитетхэмрэ я унафэщIхэм абы и лъэныкъуэкIэ нэхъ жыджэрагъ къагъэлъэгъуэну дащогугъ. ДызытепсэукI щIым хуэфащэ пщIэ хуэтщIыну псоми ди къалэнщ. Зыдужьыну, ипэкIэ дыкIуэтэну дыхуеймэ, ар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, — къыхигъэбелджылыкIащ полномочнэ лIыкIуэм зэIущIэр щызэхуищIыжым. ХЬЭЖЫКЪАРЭ Алик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26311.txt" }
Мы махуэхэм Гъатхэпэм и 23, щэбэт Метеорологием и дунейпсо махуэщ Зеикъуэ къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху, IуэрыIуатэдж ХьэфIыцIэ Мусэбий къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу. УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Абазэ Руслан и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пщыхьэщхьэм уэшх къешхынущ. Хуабэр махуэм градус 11 — 16, жэщым градуси 8 — 9 щыхъунущ. Гъатхэпэм и 24, тхьэмахуэ Жьэн узым ебэныным и дунейпсо махуэщ 1898 гъэм урыс еджагъэшхуэ Попов Александр дунейм щыяпэу радио къигупсысащ. КъШР-м и къэрал, политикэ лэжьакIуэ Арашыкъуэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу. Философие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шенкао Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хъыдзэдж Борис и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Шыдакъ Татьянэ къыщалъхуа махуэщ. УэрэджыIакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артисткэ Нэхей Тамарэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 6 — 9, жэщым градуси 3 — 4 щыхъунущ. Гъатхэпэм и 25, блыщхьэ ПщылIыгъэмрэ цIыхукIэ сату зэращIымрэ я зэранкIэ хэкIуэдахэм я фэеплъ ма- хуэщ ООН-м и лэжьакIуэхэр гъэру щаубыд, ахэр хъыбарыншэу щыкIуэд къызэрыхъур мыдэным и дунейпсо махуэщ Спорт кином и дунейпсо махуэщ Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 — 4, жэщым 1 градус щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26315.txt" }
Европэм и чемпион Джэду Iэниуар Куржым и къалащхьэм щокIуэкI бэнэкIэ хуитымкIэ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ, цIыхубз бэнэкIэмкIэ Европэм и чемпионат. Гъатхэпэм и 21-м абы дыщэ медалыр къыщихьащ Джэду Iэниуар. БэнэкIэ хуитымкIэ Урысей Федерацэм и щIыхьыр яхъумэну дзыхь зыхуащIа адыгэ щIалитIым языхэз Джэду Iэниуар япэу зэпеуэм хыхьащ. Килограмм 74-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ Iыхьэм абы хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа поляк Рогич Томаш плъапIэ къудей иритакъым икIи 2:0, 7:0-у хигъэщIащ. Хэгъэрейхэми къыпагъэува Хуцишвили Давиди зыкIи зыхуигъэхьэщIакъым. Абыи 1:0, 7:0-у текIуэри, финалым и Iыхьэ плIанэм кIуащ. Къэралым и щIыхьыр утыкушхуэм щихъумэну япэу зыхуагъэфэща Джэду Iэниуар адэкIи къэзыгъэувыIэфа и хьэрхуэрэгъухэм къахэкIакъым. Ар къамыгъэувыIэфа къудейкъым, атIэ зы очко закъуи абы къыфIахьыфакъым. Апхуэдэу 1:0, 3:0-у Болгарием щыщ Базан Леонид ефIэкIри, адыгэ щIалэр финал ныкъуэм кIуащ. Уи гугъэнт иджы Iэниуар нэхъ къагъэдзыхэну. АрщхьэкIэ, дэнэт?! Ермэлы Григорян Григор нэхъ бжыгъэшхуэжкIэ, 7:0, 6:0-у, хигъащIэри, финалым нэсащ. Европэм и дыщэ медалым папщIэ Джэду Iэниуар еныкъуэкъун хуейт Инджылызым и къалащхьэм щекIуэкIа иужьрей Олимп Джэгухэм и саугъэт лъапIэхэм ящыщ зы зыIэрыхьа венгр (мэжэр) щIалэ Хатош Габор. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, Джэдур Лондон кIуэну нэхъ зыхуэфэщахэм ящыщ зыуэ щытащ, арщхьэкIэ Iуэхум нэфI-ней халъхьэри, нэгъабэ ирагъэкIуэтэкIащ. Хатош Габоррэ Джэду Iэниуаррэ я зэпэщIэтыныгъэм Тбилиси щекIуэкI Европэм и чемпионатыр игъэдэхауэ пхужыIэнущ. ТIуми наIуэу къагъэлъагъуэрт дыщэ медалыр зэрахуэфащэр. АрщхьэкIэ нэхъ лъэщыр зэхэмыкIыу хъунутэкъым. ИкIи зэбэныну хухаха зэманыр зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, зэриухам къыхэкIыу, иужьу ехъулIэныгъэр 1:0-у зыIэрызыгъэхьа Джэду Iэниуар Европэм и чемпион хъуащ. Ар абы и лъагапIэщIэщ икIи адэкIи и насып гъащIэми спортми щытекIуэну дохъуэхъу. — Сэ срогушхуэ Джэду Iэниуар Европэм и чемпионатым и дыщэ медалыр къызэрихьам, — жиIащ Урысей Федерацэм спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и президент Мамиашвили Михаил. — Ар Iэзагъ ин зыбгъэдэлъ бэнакIуэщ. Iэниуар къэралым и командэ къыхэхам хэдгъэхьэну куэд щIауэ дыкIэлъоплъ икIи, апхуэдэ Iэмал щеттым, дыкъигъэпэжащ. Сэ къысхуэнэжыр абы сехъуэхъунырщ. Дыгъуасэ зэхьэзэхуэм хыхьащ Европэм тIэунейрэ и чемпион Урыш Анзор. Шэч хэмылъу, абы дыщогугъ зэрихьэ цIэ лъапIэр ихъумэфыну. Урышыр Тбилиси зэрыщыбэнам теухуа тхыгъэм ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэм фыкъыщеджэ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26317.txt" }
Щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэмрэ Театрым и дунейпсо махуэмрэ ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм зэрызахуигъазэр Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ! Си гуапэу сынывохъуэхъу фи IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэшхуэмкIэ. Фэ фщыщ дэтхэнэми фIыщIэ псалъэ гуапэхэр, псалъэ хэIэтыкIахэр хуэфащэщ. Фэ къуажэм дэт библиотекэ мыиным, театрым, щэнхабзэмкIэ унэм е музейм фыщылажьэми, абы емылъытауэ, лъэпкъым и гурыщIэ нэхъыфI дыдэхэр фохъумэ икIи фогъэбагъуэ. Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я егугъуныгъэм, зэфIэкIым, щIэныгъэм, зэчийм я фIыщIэкIэ, блэкIа лъэхъэнэхэм я хъугъуэфIыгъуэхэм иджырей ди гъащIэр ягъэдахэ, щIэблэхэм я зэпыщIэныгъэр къызэрагъэпэщ, апхуэдэу щыщыткIэ, щэнхабзэм и бзэкIэ зэпсэлъэнымкIэ IэмалыщIэхэр зэтрагъэувэ. ЩIыналъэхэм, къэралхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьынымкIэ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм зэфIагъэкIыр къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ. Республикэм и лIыкIуэхэм ехъулIэныгъэ ин хэлъу зыкъыщагъэлъагъуэ урысей, нэгъуэщI къэрал сценэхэм. Щэнхабзэмрэ зэхэщIыкIымрэ я хъугъуэфIыгъуэхэм цIыхухэм я гур хуэунэтIынырщ, сэ къызэрыслъытэмкIэ, зи гуфIэгъуэр мы махуэхэм зыгъэлъапIэ театр лэжьакIуэхэм я къалэн хэхар. Сценэм щызэтевгъэувэ образымрэ литературэ псалъэ узэщIамкIэ фэ ди сабийхэм, щIэблэщIэм фадэIэпыкъуфынущ гъуэгу тэмэмрэ гурыщIэ узыншэхэмрэ къыхахынымкIэ. Шэч къытесхьэркъым фи IэщIагъэм фызэрыхуэIэзэр, творчествэм фи гур зэретар, фи егугъуныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ гъащIэм зегъэужьынымкIэ, ди лъэпкъым и зэфIэкIыр гъэбыдэнымкIэ сэбэп зэрыхъунум. Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэхэм пэрыт псоми узыншагъэ быдэрэ ефIэкIуэныгъэрэ, творческэ тегушхуэныгъэ яIэну, зэрылажьэ IэщIагъэм нэхъри ехъулIэну сохъуэхъу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26321.txt" }
Хлопонин Александр КъБР-м щилъэгъуахэм топсэлъыхьыж УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Хлопонин Александр ежьэжын и пэкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм хуэзэри фIыщIэ хуищIащ экономикэм зегъэужьыным ехьэлIауэ республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм папщIэ. «Чырбыш заводым щыслъэгъуа псори сигу ирихьащ, — жиIащ полномочнэ лIыкIуэм. — Производствэм лъэщу зеужь. Иджы щыщIэдзауэ абы и продукцэр ящэхуну къыщIолъэIу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм я мызакъуэу, къэралым и нэгъуэщI щIыпIэ куэди. ИпэжыпIэкIэ ар псоми щапхъэ яхуэхъун лэжьэкIэщ». Ауэ Хлопонин Александр зэрыжиIамкIэ, абы псом нэхъри нэхъ гъэщIэгъуэн къыщыхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щыIэ жыг хадэхэм псынщIэу зэрызаубгъур. «СызэреплъымкIэ, жыг хадэхэр гъэкIыным и лъэныкъуэкIэ ар ди республикэ псоми я дежкIэ щапхъэ гъуэзэджэщ. Фэ къэкIуэну зэманым фегупсысу фолажьэ, жыг хадэхэр вгъэкI къудейм къыщымынэу, пхъэщхьэмыщхьэр хъумэным фолэжь. Хэхауэ уэ, Арсен Башир и къуэм, фIыщIэ пхузощI, сэ ипэжыпIэкIэ гуапэ сщыхъуащ нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыслъэгъуа псори», — и псалъэм и кIэухыу жиIащ полномочнэ лIыкIуэм. КъБР-м и Iэтащхьэм УФ-м и вице-премьерым фIыщIэ хуищIащ апхуэдэ псалъэхэм папщIэ икIи къыхигъэщхьэхукIащ федеральнэ гъуэгум тету здрикIуэм абы и Iуфэхэм щыхаса жыгыщIэхэр щилъагъукIэ, и гур зэрыхэхъуэр. «Япэрауэ, мы IэнатIэм дэ технологие нэхъыфI дыдэхэр къыщыдогъэсэбэп, етIуанэу — лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къызыдогъэпэщ. ЦIыхухэр зыхэпсэукIын мылъку къыщалэжьын IэнатIэ къызэгъэпэщыныр республикэм и унафэщIхэм нобэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэщ. А Iуэхум хэхауэ дызэрегугъур пщIэншэу кIуэдыркъым — лэжьапIэншэхэм я бжыгъэм кIэрыхуу хуежьащ. Нобэ гугъу зезыгъэхьыну зи мурад дэтхэнэ зыми зэрыпсэун къилэжьыфынущ. ИкIи абы и лъэныкъуэкIэ дэ иужь зэманым зэхъуэкIыныгъэ хъарзынэхэр зэрыщыIэр долъагъу», — къыхигъэщхьэхукIащ Къанокъуэ Арсен. Абы жиIащ иджыри зэфIэгъэкIыпхъэу куэд зэрыщыIэр. Къанокъуэ Арсен къызэрилъытэмкIэ, хуабжьу сэбэп мэхъу 2020 гъэм нэсыху Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьыным хуэунэтIа программэр зэрагъэзащIэр. Абы хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыхилъхьа программэхэм ящыщ куэди. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26324.txt" }
«Нурым» и етIуанэ къыдэкIыгъуэр «Нур» сабий журналым и етIуанэ къыдэкIыгъуэр Гъубж Мухьэдин и «Къырыщхьэ щыблэ щымышынэ» усэмкIэ къызэIуех. АдэкIэ ЦIыхубзхэм я махуэм ирихьэлIэу тридзащ бзылъхугъэхэр зыгъэлъапIэ адыгэ псалъэжьхэр. РСФСР-м и цIыхубэ артист, Урысейми КъБР-ми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, композитор Къардэн Хьэсэн и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 90 ирикъуащ. Къардэным уэрэд куэд, романсхэр, оперэхэр, балетхэр итхащ. «Нур» журналыр Хьэсэн къыщалъхуа махуэмкIэ ехъуэхъури, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Гимныр, Къардэным итхар, тридзащ. ЩIалэ цIыкIу гупым я анэшхуэхэм хужаIахэр Мэлей ФатIимэ къыщиIуэтэжащ «Си нанэ» тхыгъэм. «Ажэмрэ бжэниблымрэ» я хъыбарыр IуэрыIуатэм къыхихыжри, Къэрмокъуэ Хьэмид итхыжащ. Абыи фыкъыщеджэнщ мы къыдэкIыгъуэм. Налшык къалэ и 5-нэ курыт школым и 3-нэ «А» классым и егъэджакIуэ КIуж Светланэ щапхъэ трахыу и IэщIагъэм илъэс 36-рэ хъуауэ иролажьэ. Журналым тетщ КIужымрэ ар зи унафэщI класс пашэм щIэс цIыкIухэмрэ я сурэтхэр. «Iущыцэ» Iыхьэм тетщ цIыкIухэм ятеухуа гушыIэ кIэщIхэр. Ахэр итхыжащ Хьэту Пётр. АдэкIэ фыкъыщеджэнщ сабий театрым папщIэ Зэгъэщтокъуэ Людэ итха «Нарт лъэбыцэжьей» пьесэ цIыкIум. Иджырей къэфэкIэхэм ныбжьыщIэхэм щыхуагъасэ «Глория» къэфакIуэ гупым и ехъулIэныгъэхэм топсэлъыхь Таз ФатIимэ. Ди зэманым шыкIэпшынэ Iэзэу еуэфхэр закъуэтIакъуэщ. А закъуэтIакъуэхэм ящыщщ Иуаз Зубер. ШыкIэпшынауэм теухуауэ журналым тридза тхыгъэри зи IэдакъэщIэкIыр Тазырщ. АдэкIэ, зэрыхабзэу, «Нурым» тетщ псалъэзэблэдз. Мы къыдэкIыгъуэм «Нурым» и гъуджэм къощ Налшык 14-нэ гимназием и 6-нэ классым щеджэ Къэрмокъуэ Къантемыррэ Налшык курыт еджапIэ №5-м и 4-нэ классым щIэс Тумэ Дианэрэ. Абзуан Пщымахуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26329.txt" }
Хъуэхъу Ди щIалэ гъэфIэну Идар! Уэ балигъ гъащIэм ухобакъуэр, ХъуэхъуфI Iэджэу къыпхужаIэнур ДолъэIур Тхьэм къыплъигъэсыну. Бгъэгушхуэу уи адэ-анэр, БгъэгуфIэу уи дадэ-нанэр, НасыпыфIэ ущыхъуну уи гъуэгуанэм, Уи хьэл-щэным, уи щIэныгъэм Дэбагъуэ защIэу уи цIыхугъэр, Уи насыпыр цIыхур зыщIэхъуэпсу, И къабзагъэм игъэнуру уи псэр ГъащIэ гъуэгу дахэ тетын Алыхьым уищI! ФIыуэ укъэзылъагъу уи анэшхуэхэу Риммэрэ Розэрэ, уи адэшхуэ Мухьэмэд, уи анэ Лацэ, уи адэ Аслъэнбэч, адэ шыпхъухэу Ритэрэ Роситэрэ, адэ къуэш Аслъэн, уи къуэшхэу Алибэчрэ Иналрэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26333.txt" }
Егъэджэныгъэм ухэзышэ лъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологие институтым и 5-6-нэ курсхэм щIэсхэр педагогикэ практикэ курыт школхэм ягъакIуэ хабзэщ, зэджар къагъэсэбэпыф, я IэщIагъэм хуэIэижь хъун, зыпэрыувэну IэнатIэр зищIысыр ирагъэщIэн, щагъэгъуэзэн мурадкIэ. Мы гъэм институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм и 5-нэ курсыр къэзыухыр дэрати, Налшык къалэм дэт 20-нэ курыт еджапIэм дагъэкIуащ, егъэджэныгъэм и щэхухэр къыщытщIэну. Пэжу жыпIэмэ, егъэджэныгъэм ухэзышэ лъагъуэщ педагогикэ практикэр. Гупхэр тIу дыхъурти, а еджапIэм адыгэбзэр щезыгъэджхэу МахуэлI Ларисэрэ Хъалил Лалуцэрэ «я пщэ дыдалъхьащ». Сэ сызыхэт гупым къыддэлэжьар МахуэлI Ларисэщ. «Емыса лэгъупэжь хъурэ», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. Абы и мыхьэнэм пэжагъыу хэлъым гъащIэм куэдрэ ущрохьэлIэ: еджэнми лэжьыгъэми, ахэр къэгъэнауэ, Iуэху пыухыкIами ехьэлIауэ. Хэт и дежкIи гурыIуэгъуэщ узэсэжауэ махуэ къэс блэжь Iуэхум хуэдэ япэу зыщIэбдзэр зэрымыхъур. Егъэджэныгъэ IэнатIэм куэд щIауэ пэрыт егъэджакIуэм и дежкIэ ар тыншщ, ауэ дэ, студентхэм, ди дежкIэ ар гугъут, ди егъэджакIуэхэм абы сыт хуэдизу дыхуамыгъэхьэзырами. Уеджэныр, дауи, нэхъ тыншщ, ебгъэджэн нэхърэ. Ар къыщыдгурыIуар а IэнатIэм дыпэрыува нэужьщ. «Iуэху мыублэ блэ хэсщ», — жиIащ пасэрейм. Дэри дызыпэрыувэ Iуэхур къыдэгугъуэкIырт, дыщышынэрт, зыгуэрхэм ар къызыфIамыгъэIуэхуну, мыхьэнэшхуэ ирамытыну яужь итми. Ауэ, сыт хуэдизу ди псэр абы щымышынами, къару къытхилъхьэу, дытригъэгушхуэу, щыуагъэ тщIамэ, тэмэму къыдгуригъэIуэжрэ къыддигъэзэкIуэжу, фIым дыхуигъасэрэ иджыри къэс университетым дыщезыгъэджа IэщIагъэлIхэм къыдбгъэдалъхьа, дызыхурагъэса псори къыдигъэгъэсэбэпурэ, тхухаха сыхьэт бжыгъэхэр ирыдигъэгъэкIуэкIащ МахуэлI Ларисэ. Зэшыгъуэу, мыгъэщIэгъуэну, зыкIи дыхуэмейуэ, къытхуэмысэбэпыну ди гугъа педпрактикэм дыдихьэхри, зэманыр псынщIэIуэу тфIэкIуэрэ дызэрыщыIар тфIэмащIэу ар къэдухащ. Урокым хуэдгъэхьэзырам щыщ зыри зэрыдэдмыгъэхуным яужь дит пэтми, сабийхэм дадэлэжьэнымкIэ зыдмыгъэнщIауэ ди сыхьэт бжыгъэр тфIиухырти унэм дыкIуэжырт. Ларисэ илъэс 17-м нэсауэ егъэджакIуэщи, ар хуэIэижьщ и лэжьыгъэм, сабийхэм я бзэм, дэтхэнэ зыми узэрыбгъэдыхьэным щыгъуазэщ, темэщIэ щепткIэ, хэт сыт хуэдэу къыгурыIуэнуми, хэт нэхъ псынщIэу къипхъуатэми зэхегъэкI. Дэ абы хэлъ къарум хуэдэ иджыри диIэтэкъым, ауэ сыт хуэдизу зыдмыкъузами, зи IэмыщIэ дралъхьа егъэджакIуэм хузэфIэкIащ дэтхэнэ зы студентри ди зэфIэкIыр здынэсым дригъэплъыжыну, иджыри дызэрыеджакIуэр зыщыдгъэгъупщэу егъэджакIуэм и IэнатIэр зыхэтщIэну. Мазэм щIигъукIэ практикэ дыщыIати, зы махуи щыдгъэкIуакъым сэбэпынагъ хэмылъу, щIэуэ зыгуэр къэдмыщIауэ, иужьыIуэкIэ, егъэджакIуэу лэжьэн щIэддзэмэ, къытхуэсэбэпыжын гуэр зыхэдмылъхьауэ. Нэхъыбэ зэрызэдгъэщIэным дыхущIэкъуу, сабийхэм дазэрыгурыIуэным, абыхэмрэ дэрэ ди бзэр зэтехуэным дыкIэлъыплъащ. Дерсхэр къыщызэдгъэпэщкIэ, зыгуэр мыхъуауэ тщIамэ, ди щыуагъэхэмкIэ ди егъэджакIуэм дызэригъэплъэкIыжурэ чэнджэщыфIхэр къыдитырт. Адыгэбзэ сыхьэтхэм нэмыщI, дэ дыщIэсащ, дакIэлъыплъащ адрей предметхэр щрагъэдж дерсхэми. ИкIи, дэтхэнэ зы студентми гу зэрылъитащи, еджакIуэ цIыкIухэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ нэхъыфIу ялъагъу мыхъумэ, нэхъ жагъуэу ялъытэркъым. Сабийхэм яхэтт адыгэбзэмрэ литературэмрэ куууэ щыгъуазэ, урок къэс нэхъыбэ зэрыщызригъэщIэным хущIэкъу, адыгэ литературэмкIэ упщIэ куэду зиIэ, бзэм нэхъыфIу хэзыщIыкIхэр. Дауи, апхуэдэхэм уащрихьэлIэкIэ, уащепсэлъылIэкIэ уогушхуэ, уи гур хохъуэ, ди анэдэлъхубзэм и пщIэр къэзыIэтын, ди адыгэ лъэпкъыр ипэкIэ зыгъэкIуэтэн, абы и къекIуэкIыкIам фIыуэ щыгъуазэ цIыху зэрыщыIэм щхьэкIэ. Ар ди нобэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ, сыту жыпIэмэ ди бзэр зезыхьэжыфынури, ар хэзымыгъэкIуэдэжыну зи къалэнри дэращ, къыдэкIуэтей щIэблэращ. НэгъуэщI щIыпIэ къикIыу, хамэ лъэпкъ къыхэкIыу дэ зыми пщIэ къытхуищIынукъым, ди щхьэр, ди бзэр, ди лъэпкъэгъухэр дымыгъэлъэпIэжмэ. Мис а псалъэхэр яIурылъу, я гур куэдым хуэпабгъэрэ фIы ягу илъу, адыгэ хабзэм куууэ щыгъуазэу къагъэтэдж Кэнжэ дэт 20-нэ курыт школым щIэс еджакIуэ цIыкIухэр. Я хабзэкIи, нэмыскIи, хьэл-щэнкIи дигу ирихьауэ, дылэжьэнми нэхъ дытегушхуауэ дыкъэкIуэжащ еджапIэм. ФIыщIэ ин яхудощI практикэр къызэзыгъэпэща дэтхэнэми, абыкIэ гугъу къыддехьахэми: филологие институтым и унафэщI Куянцевэ Еленэ, адыгэбзэ кафедрэм и егъэджакIуэ, ди гупым и унафэщIу щыта Шыгъушэ Джульеттэ, 20-нэ школым адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ МахуэлI Ларисэ. Узыншагъэ фиIэу, фи гукъыдэжыр мыужьых мафIэм хуэдэу, фи IэщIагъэм и хъер флъагъуу илъэс куэдкIэ Тхьэм фигъэпсэу! ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ, КъБКъУ-м и студент.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26336.txt" }
Жэрдэм Зэманыр пщIэншэу ямыгъэкIуэду КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн иригъэкIуэкIащ Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм и лIыкIуэхэр, спорт школхэм я унафэщIхэр, абыхэм я гъэсэнхэмрэ адэ-анэхэмрэ зыхэта зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ ныбжьыщIэхэм еджэным къахудэхуэ зэманыр купщIафIэу къагъэсэбэпыным хуэунэтIа зэрыхъуну Iэмалхэм, сабийхэм гъащIэм я гъуэгу къы-щагъуэтыжыфын папщIэ сэбэп зэрыхъупхъэхэм. АфIэунэм къыхигъэщащ щIэблэр я гъэсэным псори зэдегугъун зэрыхуейр. «Зэманыр сэбэпыншэу, мыхьэнэншэу зыгъакIуэ сабийр гъуэгу пэжым тыншу теджэрэзыкIыфынущ. Iуэхуншэу уэрамым дэтхэм я хъым ихуэу, ахэр наркотикымрэ фадэмрэ дихьэхынри зыхуэIуа щыIэкъым. Абы къыхэкIыу, ди сабийхэм гулъытэ яхуэтщIыпхъэщ. Дэтхэнэми зыхегъэщIапхъэщ егъэджакIуэу, дохутыру, спортсмену, зэхэщIыкIрэ акъылрэ къызыкъуэкIын щIэблэ узыншэу дазэрыщыгугъыр», — жиIащ АфIэунэм. Абы зэIущIэм кърихьэлIа ныбжьыщIэхэм езыхэр зыхуей спорт секцэхэм хэгъэхьэн жэрдэмыр къыхилъхьащ. Адэ-анэхэр абыкIэ гуапэу арэзы хъуащ. Гъэунэ Светланэ. БэнэкIэ хуит Хэгъэрейм къыхигъэщIами, Урышыр медалыншэ хъуакъым БэнэкIэ хуитымкIэ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ, цIыхубз бэнэкIэмкIэ Европэм и зи чэзу чемпионатыр Тбилиси щиухащ. НэхъапэIуэкIэ дыщэ медалыр абы къыщызыхьа Джэду Iэниуар и ехъулIэныгъэм адрей адыгэ щIалэхэми къыпащащ. Мэрем кIуам зэхагъэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 84-рэ зи хьэлъагъхэм я нэхъ лъэщыр. Урысей Федерацэм и щIыхьыр абы щихъумащ Европэм тIэунейрэ и чемпион Урыш Анзор. Куэдым шэч къытрахьэртэкъым адыгэ щIалэр аргуэруи саугъэтыншэ зэрымыхъунум. ПэщIэдзэ зэIущIэхэм гугъу демыхьыщэу Урышым щыхигъэщIащ Венгрием (Мэжэрым) щыщ Вереб Иштфанрэ (2:1, 6:0) нэмыцэ бэнакIуэ Серегели Габриэлрэ (1:0, 4:0). Финалым и Iыхьэ плIанэм къыщыхуэза Белоруссием и лIыкIуэ Гайдаров Мурад нэхъ елIэлIащ икIи я зэныкъуэкъуныгъэр зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, иуха пэтми, Анзор бжьыпэр иратащ, иужьу очко зэрызыIэригъэхьам къыхэкIыу. Иджы финалым кIуэн папщIэ Урышым хигъэщIэн хуейт хэгъэрейхэр бэкIэ зыщыгугъ Марсагишвили Дато. Зэхьэзэхуэм еплъыну кърихьэлIахэр ерыщу къызэрыдэщIым зи къарур игъэбэгъуа куржы щIалэр IэубыдыпIэншэт. Ар Анзор къефIэкIащ икIи иужькIэ Европэм и чемпион хъуащ. КъызэрыхагъэщIам игъэгубжьа Урышыр адэкIэ къизыгъэкIуэтыжын щыIэтэкъым. Жэз медалым щыщIэбэна финал цIыкIум абы и губжьыр щытрикъутащ румын Франт Андрей. 8:0, 6:0-у Анзор зэрытекIуам псори наIуэ къыпщащI. Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ килограмм 66-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм дыжьын медалыр къыщихьащ Адыгейм щыщ Къуракъ Iэдэм. Ар къыщыхагъэщIар финалым и закъуэщ. Арати, гъатхэпэм и 19 — 24-хэм Куржым и къалащхьэм щекIуэкIа Европэм и чемпионатыр абы хэта адыгэ щIалищми яхуэугъурлащ: Джэду Iэниуар дыщэ, Къуракъ Iэдэм дыжьын, Урыш Анзор жэз медалхэр зыIэрагъэхьащ. АдэкIи Тхьэм иригъэфIакIуэ! Жыласэ Заурбэч. Дзюдо НыбжьыщIэхэм я зэпеуэм Красноярск щекIуэкIащ Урысейм дзюдомкIэ пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ ныбжьыщIэхэм (илъэс 21-м нэс) я зэхьэзэхуэ. Ярыгин Иван и цIэр зезыхьэ Спорт уардэунэм щызэхуэсат федеральнэ щIыналъи 8-м, Москва, Санкт-Петербург я спортсмен нэхъ лъэщхэр. Ахэр щIэбэнащ къэралым и гуп къыхэхам хэхуэным. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумащ ди спортсмениблым. Килограмми 100-м нэблагъэхэм я деж дыжьын медалыр щызыIэригъэхьащ Хъурсин Залымхъан. Бжьыпэр иубыдащ абы хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуа, Краснодар крайм и спортсмен Щхьэлахъуэ Рустам. Пщащэхэм я зэпеуэм Нэгуэр Айданэ Свердловск областым щыщ Трапезниковэ Анастасие къыпикIуэтри, етхуанэ увыпIэр къихьащ. КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26342.txt" }
Ислъамым и нур ЗэIущIэхэр Унагъуэр ягъэнэхъапэ Налшык БизнесымкIэ институтым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Унагъуэм илъ гъэсэныгъэм гъащIэм щиIыгъ увыпIэр» зыфIаща зэIущIэ. — Нобэрей зэIущIэм кърихьэлIащ диным и лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр. Абыхэм яхэтщ Америкэм къикIауэ ди институтым щылажьэхэу Шенонрэ Гортцрэ. Ди Iуэху еплъыкIэ зэтIуэтылIэрэ, дызытепсэлъыхьым бгъэдыхьэкIэ тэмэм къыхуэдгъуэтмэ, хъарзынэщ, — жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым БизнесымкIэ институтым и ректор Хъурей Феликс. — Мы зэхуэсым сегугъуу зыхуэзгъэхьэзыращ, — къыпищащ адэкIэ псалъэмакъым КъБКъУ-м теориемрэ социальнэ лэжьыгъэм и тхыдэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Хъубий Башир, — сыту жыпIэмэ, дызытепсэлъыхьыр егъэлеяуэ Iуэхушхуэщ. Унагъуэр псом ящхьэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иджыпсту ди къэралым Iуэхур щыщIагъуэкъым. Зэдэмыпсэуфу зэбгъэдэкIыжхэр куэд хъуащ, къытщIэхъуэ щIэблэм я бжыгъэр мащIэщ. Абы ипкъ иткIэ, унагъуэм и Iуэхум къэралым гулъытэ нэхъыбэ хуищIыпхъэу къызолъытэ. — Жылагъуэр тэмэму зэдэпсэууэ зэтриухуэфынущ диным, — жиIащ зэIущIэм къыщыпсэлъа дин лэжьакIуэ ЕмыкI Галинэ. — Аращ щIэблэр зыщIэпIыкIын хуейр. Ахэр Iэмал имыIэу КъурIэным щыгъэгъуэзапхъэщ. Сабийм цIыху къищIыкIын папщIэ, адэ-анэм къаруушхуэ трагъэкIуэдэн хуейщ. Динри, щэнхабзэри, литературэри зэхэплъхьэмэ, цIыхум гъэсэныгъэ хъарзынэ пхуетынущ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и егъэджакIуэ нэхъыжь ТекIуий Мадинэ и Iуэху еплъыкIэри игъэнэIуащ: — Ди тхыдэм гъуэгуанэ кIыхь къызэпичащ. Хабзэ куэд кIуэдащ, нэхъыбэжи къежьащ. Ауэ псэм и къулеягъым зихъуэжакъым. Абы ущытепсэлъыхькIэ, унагъуэм и деж къыщыщIэдзапхъэщ. Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ лIэщIыгъуэкIэрэ зэрагъэпэщащ унагъуэм илъ хабзэ зэхущытыкIэ щхьэхуэ. Хабзэм, Iуэху зехьэкIэм куэд дыдэ яIыгъщ. Иужьрей зэманым нэхъри зыхэпщIэ хъуащ абы и мыхьэнэр зэрыиныр, сыту жыпIэмэ, анэ е адэ фIэкIа зыбгъэдэмыс бынхэр куэд хъуащ. ЦIыхум и къалэнщ япэ итам и псэукIам, тхыдэм зыщигъэгъуэзэну. Унагъуэр зэрыпхъумэну Iэмал куэди абыхэм къахэнащ. Унагъуэр хъумэным я гуащIэ хэлъыпхъэщ цIыхухъуми цIыхубзми. быным я гъэсэныр, ахэр зыхуей хуэгъэзэныр абыхэм я зэхуэдэ къалэнщ. Абы щыгъуэми сабийр гъэсэным адэм увыпIэшхуэ щеубыд. Быныр гъэудэIуным, гъэпскIыным, хуэпэным, гъэшхэным ар куэдрэ хэткъым. Апхуэдэу щыт пэтми, сабийм и дежкIэ сыт щыгъуи адэр щапхъэщ. Америкэм къикIа Гортц и псалъэмакъым зэгупсысыпхъэ куэд хэлът: — КъыжыIапхъэщ США-м щыщ унагъуэхэм я процент 50-р щIэхыу зэрызэбгъэдэкIыжыр. Сэ езыр сыщхьэгъусэщ, сыадэщ. Унагъуэр еплъыкIэ щхьэхуэм тету сыухуащ. АбыкIэ гупсысэ къигъэхъуапIэу тIу къэзгъэсэбэпащ. Япэр — си адэрщ. Аращ гъуазэу сиIар, иджыри къыздэсым къысхуэнэр. Си адэм дэслъэгъуащ щхьэгъусэ пэжым, адэ щыпкъэм и щапхъэхэр. ЕтIуанэр — унагъуэ ухуэным и гъуэгу пэжым диным и тхылъ лъапIэхэм узэрыхуашэрщ. Мис а Iуэхугъуэхэм сыхуагъасэ дзыхь зыхуащI щхьэгъусэу, адэу сыщытыным. Сыхуиткъым щапхъэ къыстезыхыну быным мыхьэнэншэу зыкъезгъэлъагъуну. КъБР-м и Сабий фондым и унафэщI Умэ Светланэ къыхигъэщащ гъащIэм гугъуехь Iуигъэуа унагъуэхэм якIэлъыплъыну куэдрэ къызэрыхуихуэр: — Апхуэдэхэм сахоплъэри, къызгуроIуэ, гугъуехьыр зыхэзыщIа цIыхухэм нэхъ зызэщIагъакъуэу, зэхуэгумащIэу зэрыщытыр, — жиIащ абы. — МылъкукIэ хуэмыщIа сабийхэр гулъытэ зэхуащIыжурэ къыдокIуэтей, гъащIэм хыхьа нэужьи зэкъуэтщ. Ахэр гъащIэм хэзэгъэн, абы увыпIэ тэмэм щаубыдын папщIэ, адэ-анэм дэIэпыкъуэгъу дазэрыхуэхъуным дыхущIокъу. — Унагъуэм и Iуэхур куууэ узыгъэгупсысэщ. Ар Америкэми щызэIумыбзщ. Уеблэмэ, языныкъуэхэм сабийр насыпу къалъытэркъым, атIэ пщэрылъ гуэру къафIощI, — жиIащ США-м къикIа щIалэ Шенон, унагъуэм цIыхухэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэр зэрызэхуэмыдэм и гугъу щищIым. Хъурей Феликс къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ БизнесымкIэ институтым и студентхэм я гъэсэныгъэр езыгъэфIакIуэ Iуэхухэр зэрыщрагъэкIуэкIым: — Гъэ еджэгъуэхэм, семестр къэс зэхуэс дощIри, еджэныгъэм теухуауэ зэдгъэхъулIахэр, дызыхунэмысахэр къыдопщытэж. ЕхъулIэныгъэ зиIэхэм гулъытэ яхудощI. Институтым къыщызэдгъэпэщащ университет зэIуха гъэщIэгъуэн. Дубзыхуащ уэрэджыIакIуэ, шыкIэпшынэм зыщыхуагъасэ, къэфакIуэ гупхэр. — Ди мурад нэхъыщхьэщ еджакIуэхэм, адэ-анэм къыхалъхьа гупсысэр, зэфIэкIыр дгъэбэгъуэныр, — къыпищащ псалъэмакъым БизнесымкIэ институтым и студент ассамблеем и унафэщI Дзэгъащтэ Азэмэт. — ЦIыхум и дежкIэ пщIэщ къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэм, езым и лIакъуэм хищIыкIмэ. Абыхэм гу ялъыптэу, я лэжьыгъэр, гупсысэр пфIэгъэщIэгъуэну ящIэмэ, жыджэру Iуэхум бгъэдохьэф. АдэкIэ псалъэмакъым къыхыхьащ зэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Ахматов Назир-хьэжыр: — Псоми къыхэдгъэщащ унагъуэм и Iуэхур ухэзыгъаплъэу зэрыщытыр. Мыбы хэкIыпIэ иIэн папщIэ зым жиIэр адрейм зэхихыфу зегъэсэн хуейщ. ЗыхэтщIапхъэщ дэтхэнэми жэуап гуэр тхьыну ди пщэ къызэрыдэхуэр, — жиIащ абы. — Зытхъумэжын папщIэ диным ди гупэр хуэдгъазэу, абы теухуа тхылъхэр щIэдджыкIыну щхьэпэщ. ЦIыхур гъуэгу пэжым треш фадэм, афияным, компьютер джэгукIэ зэхуэмыдэхэм. Абыхэм цIыхубэр зэрыщытхъумэну Iэмалхэри диным къуигъэщIэнущ. КъБР-м цIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу щыIэ Зумакулов Борис къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ икIи къыхигъэщащ псалъэмакъ щхьэпэ зэрекIуэкIар. ЗэIущIэр къызэзыгъэпэщахэм зэрыжаIамкIэ, мыпхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкIынущ. Ахэр теухуауэ щытынущ гъащIэм мыхьэнэ нэхъыщхьэ щызыубыд Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Гугъуэт Заремэ. Ди псэлъэгъухэр КъэхъукъащIэ псори — Алыхь Iэмырщ Илъэс тIощIым щIигъуауэ Прохладнэ, Май куейхэм я раис Iимамщ Нэгъуей Хьэсэнбий. А лэжьыгъэ мытыншыр пщIэрэ щIыхьрэ иIэу псэ хьэлэлкIэ зэрехьэ. Абы и щыхьэтщ и мэсхьэбым щIэтхэр, цIыху къызэрыгуэкIхэр, куейхэм я Iэтащхьэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIхэр къызэрыхуэарэзыр, къызэрыщытхъур, Кавказ Ищхъэрэм и Муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрым къыхуигъэфэща орденыр. Нобэ ар ди псэлъэгъущ. Нэгъуей Хьэсэнбий — Хьэсэнбий, Тхьэм и шыкуркIэ, иджыпсту ислъам диным ди щIыпIэм зыщиужьыж лъэхъэнэщ. Уэ дапщэщ муслъымэныгъэр нэсу къыщыппкърыхьар? — Адыгэ лъэпкъым илъэсищэ куэд хъуауэ муслъымэн диныр къыдогъуэгурыкIуэ. Шэч хэлъкъым дэтхэнэ зыми ар ди лъым зэрыхэтым. Сэри аращ. 1940 гъэм сыкъыщалъхуа Къэрэгъэш къуажэр адыгэ жылагъуэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ зыщ икIи абы хабзэри динри нэсу щызокIуэ. Абы ифI сэри къызэмыкIынкIэ Iэмал иIакъым. Сабиигъуэращ псоми я къежьапIэр. Ар си дежкIэ хьэлъэу щытащ. Си адэр сщIэжыххэркъым, илъэситI фIэкIа сымыхъуауэ, 1942 гъэм ар зауэм хэкIуэдащ. Iеймрэ фIымрэ зэхэсщIыкIыну сыхунэмысауэ си анэри дунейм ехыжащ. Арати, илъэсих ныбжьым ситу, зеиншэ дыдэ сыхъуащ. Ауэ, Алыхьым фIыгъуэр къахуищIэ си Iыхьлыхэм — абыхэм сызыхуей сыхуагъэныкъуакъым. Псом хуэмыдэу фIыщIэ ин яхузощI си адэ къуэшхэм. Абыхэм я бын дыдэм сыхуагъэдащ. ТхэкIэ, еджэкIэ зэзгъэщIа къудейуэ муслъымэн диным сыдихьэхащ. АбыкIэ сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ си адэ къуэшым и щхьэгъусэ Маржынэт. Абы мыдрисэр къиухауэ дин щIэныгъэ иIэти, муслъымэныгъэр къабзэу зэрихьэрт. Аращ КъурIэн сыкъеджэфу, нэмэз сщIыфу сезыгъэсари. Курыт еджапIэр къыщызухым, тездзэри Налшык сыкIуащ. Дин Iуэхухэр зэригъакIуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Министрхэм я Советым щыIэр къэзгъуэтри, селъэIуащ ислъам щIэныгъэ зэзгъэгъуэтыну еджапIэ сигъэкIуэну. Ар къыщыхъуар 1958 гъэрт — диныншэ гупсысэм хуабжьу зыщиужьа лъэхъэнэ гуащIэрат. Дауи, сыздэкIуахэр зыкIи къыздэIэпыкъуакъым икIи къуажэм сыкъэсыжатэкъым сыщеджа школымрэ жылэм и унафэщIхэмрэ стеухуа хъыбарыр къыщрагъэщIам. Абы щыгъуэм ныкъусаныгъэшхуэу къалъытэрт дин Iуэхур зехьэныр, щIалэгъуалэр абы дегъэхьэхыныр. КъэхъукъащIэ псори — Алыхь Iэмырщ. НэгъуэщI хэкIыпIэ щызмыгъуэтым, автошколым сыщIэтIысхьащ икIи шофёр IэщIагъэр зэзгъэгъуэтащ. Дзэм илъэсищкIэ къулыкъу щысщIа иужькIэ Орджоникидзе (иджы Владикавказ) дэт Суворов училищэм сыщеджэну сыхущIэкъуащ, ауэ къызэхъулIакъым. Ар щымыхъум, Кавказ Ищхъэрэ бгы-металлург институтым сыщIэтIысхьащ. Зэзгъэгъуэта IэщIагъэхэмкIэ лэжьыгъэ куэд щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщесхьэлIащ икIи дзыхь къысхуащIа сыт хуэдэ IэнатIэми схузэфIэкIым хуэдиз гуащIэ хэслъхьащ. Зыми къысхужиIэфынукъым сыхуэмыхуауэ е зыщIезгъэхауэ. Уеблэмэ, Iуэху кIуэцIрыхуахэм сыщыпэрагъэувэми, сыкъэдзыхакъым икIи зэIубз сымыщIыжауэ абыхэм сакъыпэрыкIакъым. сыщалъхуа Къэрэгъэш къуажэм 1987 гъэм къэзгъэзэжащ. Къэралым зэхъуэкIыныгъэ куухэм щыщIадзат икIи абы тригъэгушхуа цIыхухэм лъэпкъ хабзэр, диныр къэIэтыжыным зратащ. Сэри абы сыхыхьащ. ИгъащIэ лъандэрэ си псэр зыхуеIэ муслъымэныгъэ тэмэмыр щIэблэм яхэлъхьэным, зэрыхъум, къазэрыгурыIуэм хуэдэу ар зезыхьа нэхъыжьхэр ислъамым къигъэув мардэхэм игъэувэным си къару есхьэлIэу щIэздзащ. Школым мыдрисэ къыщызэIутхри, сабийхэри балигъхэри едгъаджэу дыхуежьащ. АбыкIэ хуабжьу сэбэп къысхуэхъуащ Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъу Като (ПщыхьэщIэ) Мухьэмэд. Аращ ислъамым нэхъ куужу сыхэзыгъэгъуэзар, ди цIыхухэр дин щIэныгъэм дезыгъэхьэхар. Нобэр къыздэсым ар Кавказ Ищхъэрэ ислъам институтым щолажьэ. — Фи IуэхуфIхэр, дауи, псыхэкIуадэ хъуакъым. Къефхьэжьа лэжьыгъэфIхэрауэ къыщIэкIынщ Прохладнэ, Май куейхэм я раис Iимаму ущIагъэувар? — А жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къулыкъур къыщысхуагъэфэща 1992 гъэм Прохладнэ, Май куейхэм къэралым щызекIуэ хабзэм къызэригъэувым тету, зы муслъымэн жэмыхьэти щыIэтэкъым. ИкIэщIыпIэкIэ абы иужь дихьащ икIи нобэр къыздэсым я уставхэр яIэжу зэгухьэныгъэу 10 диIэщ. Абыхэм къызэщIаубыдэ цIыху мин 30-м нэблагъэ. Мэжджытхэр щыдухуащ Къэрэгъэш (тIу), Алътуд, Псыншокъуэ, Дальнэ къуажэхэм, Прохладнэ къалэм. — СызэрыщыгъуазэмкIэ, Къэрэгъэшым и мэжджытыр къегъэжьэнымкIэ щIэгъэкъуэн къыфхуэхъуащ Сирием щыпсэу фи къуажэгъухэр. — Ар пэжщ. 1994 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI ПщыхьэщIэ Шэфихь и гъусэу Сирием еджакIуэ дыщыIэт. Ди лъэпкъэгъухэр абы зэрыщыпсэур тщIэрти, ахэр къэтлъыхъуащ, захуэдгъэзащ. И адэжьхэр Къэрэгъэш щыпсэуауэ Гуэнгъэпщ Хъусен Дамаск сыщыIущIащ. Дауи, драгъэблэгъащ, дагъэхьэщIащ. Дэри адэжь Хэкум и гугъу щыхуэтщIым, къыхэзгъэщащ ислъам диныр цIыхухэм яфIэфIу къызэращтэжыр, щIыпIэ куэдым тхьэелъэIупIэхэр зэрыщаухуэр. ЯжесIащ ди къуажэми Iуэхур зэрыщыщытыр икIи мэжджыт ухуэныр къызэгъэпэщыныр си пщэ къызэрыдалъхьар. Махуэ зыбжанэ дэкIри, Гуэнгъэпщ Хъусен зыкъысхуигъэзащ. Абы доллар 2200-рэ къысIэщIилъхьащ — ар езым, и къуэхэм, Сирием щыпсэу адрей ди лъэпкъэгъухэм я мылъкум къыхэкIыу мэжджытым и ухуэныгъэм къыхалъхьэу арат. Сыкъэсыжри, жэмыхьэтым Iуэхур зытетыр яжесIащ икIи ди къуэшхэм къытхуащIа тыгъэмкIэ мэжджытыр къедгъэжьащ. Абы нэгъуэщI мылъку куэди текIуэдащ, зыкъытщIэзыгъэкъуахэри мащIэкъым. Илъэс 14-кIэ екIуэкIа ухуэныгъэм зи гуащIэ хэзылъхьахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсени. Ар мэжджытыр къыщызэIуахми къызэрырихьэлIар къэрэгъэш- дэсхэм хуабжьу я гуапэ хъуащ. — Урысхэр нэхъыбэу щыпсэу Прохладнэ, Май куейхэм я раис Iимаму ущытыну тыншу къыщIэкIынкъым. Дауэ щызэгурывгъаIуэрэ абыхэм муслъымэн, чристэн динхэр щызезыхьэхэр? — Ислъамым и нэщэнэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ къызыхэкIам, зэрихьэ диным емылъытауэ цIыхум хуэфэщэн пщIэ лъагэ хуэщIыныр. Дэ абы сыт щыгъуи дытетщ. Районым и унафэщIхэм, нэгъуэщI динхэм я телъхьэхэм я гугъу пщIымэ, абыхэми пщIэ ин къытхуащIу дыкъогъуэгурыкIуэ. Куейм зы Iуэхугъуэшхуи щекIуэкIыркъым дэ драмыгъэблагъэу, жьантIэр тIысыпIэ щытхуамыщIу. Сыт хуэдэ лъэIу диIэу захуэдгъэзами, щызэфIамыгъэкI иджыри къэс къэхъуакъым. Апхуэдэ зэхущытыкIэм ди Iуэхухэр тынш ящI, зэгурыIуэныгъэр ягъэбыдэ. Районхэм я еджапIэхэм зэгъусэу дыкIуэурэ ныбжьыщIэхэм, щIалэгъуалэм дахуозэ икIи диным фIыуэ хэлъхэр, ар сыт хуэдэ залымыгъэми зэрибийр япхыдогъэкI. Дрогушхуэ Прохладнэ, Май куейхэм щыщу зы цIыхуи экстремизмэмрэ терроризмэмрэ пыщIауэ къызэрамыхутам, абыхэм ди деж лъабжьэ лъэпкъ зэрыщамыIэм. — Хьэсэнбий, уэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ къалэнри ехъулIэныгъэкIэ бгъэзэщIащ. Абы и гугъу къытхуэщIыт. — Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм я съездым къыщыхалъхьэри, КъБР-м и муфтийм егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ къалэныр пщэрылъ къысщащIауэ щытащ. А лъэхъэнэрат Ислъам институтыр къыщызэрагъэпэщари, сохъустэхэр зыщIэсын, щеджэн, езыгъэджэн Iуэхугъуэхэр зэфIэдгъэкIырт, абыхэм я шхыныр къетшалIэрт. Сыт хуэдиз гугъуехь дыхэтами, лэжьыгъэр зэрызэтеувам, жыжьэ IумыкIыу ди щIалэгъуалэр муслъымэн диным хуедгъэджэну Iэмал зэрыдгъуэтам иджы дыщогуфIыкIыж. — ЩIэгъэкъуэн уимыIэмэ, сыт хуэдэ Iуэхури хьэлъэщ. Уи къалэн мытыншыр бгъэзэщIэнымкIэ, мэжджытхэр ухуэнымкIэ къыбдэIэпыкъуахэм я цIэр къытхуипIуэн? — Ахэр куэд мэхъу икIи дэтхэнэ зыми я IуэхущIафэхэм къыпэкIуэнур Алыхьым псапэу къаритыж. Сыт хуэдэ лэжьыгъэми мылъкукIи къарукIи щIэгъэкъуэн нэс къыщысхуэхъуахэщ Щоджэн Iэуес, Зыхъэ Рашид, Бэшорэ Хьэмид, Абэзэхэ Хьэдис, ХъутIатI Хьэсэн, Ашэбокъуэ Артур, Щтым Къэралбий, Мату Арсен сымэ, нэгъуэщIхэри. — Къалэн пыухыкIа щыбгъэзащIэкIэ уигу зыхуэмызагъэ гуэрхэри абы къыщыхэкI щыIэщ. Апхуэдэхэм я гугъу къытхуэщIыт. — Алыхьым и шыкуркIэ, муслъымэн диным ди гъащIэм увыпIэшхуэ щиубыдыжащ. Ди Iуэхухэр илъэс тIощI и пэкIэ зэрыщытамрэ иджырэ шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Абы щыгъуэми псоми ди зэхуэдэ гугъуехьхэм дагъэпIейтей. Псом япэрауэ, ар ди щIалэгъуалэм щыщ куэд дин нэпцIыр тегъэщIапIэ ящIауэ зэрытфIэкIуэдырщ. Абыхэм я нэхъыбэм муслъымэныгъэм хащIыкIыр мащIэщ икIи ди жагъуэгъухэм къыжраIэм егъэщхьэрыуэри, езыхэри бэлыхь хохуэ, лъэпкъри ягъэунэхъу. Ар зэи пхуримыгъэкъужын хэщIыныгъэшхуэщ. АдэкIэ, сыт хуэдизрэ жытIэми, сыт хуэдэ унафэ къыдэдгъэкIми ислъам диным къызэригъэувым хуэдэу, ди гуфIэгъуэхэмрэ гузэвэгъуэхэмрэ дэнэкIи щытхудэгъэкIыркъым. ГуфIэгъуэхэм я нэхъыбэр фадэм ирагъэтхьэлэ, гузэвэгъуэм и деж хьэдэр щыщIалъхьа махуэм кърихьэлIа цIыхухэр ягъэшхэну, сэдэкъэр лIар дунейм зэрехыжрэ махуэ плIыщI, щэ ныкъуэрэ тIу, илъэс ныкъуэ щрикъу махуэ дыдэхэм ящIыну, мылъкушхуэ абыхэм трагъэкIуэдыну зыукъуэдийхэр иджыри мащIэкъым. Ахэр нэгъуэщI динхэм къыхаха мыхъумыщIагъэхэщ икIи муслъымэныгъэм зыкIи епхакъым. И чэзу хъуат а ныкъусаныгъэхэр къызэднэкIыну икIи, псори зым и унафэм дыщыщIэткIэ, абы къытхуигъэув мардэхэр пылъхьэншэу зэхуэдэу дгъэзэщIэну. Епсэлъар Хьэтау Ислъамщ. Сурэтыр Мамий Руслан трихащ. Дэ къытхуатх Кхъэхэр дывгъэгъэкъабзэ Дэтхэнэ зы цIыхуми и иужьрей егъэзыпIэу щытщ кхъэр. Абы къыхэкIыу, ар къабзэу, зыхуей хуэгъэзауэ щытыпхъэщ. Арщыдан къуажэм а Iуэхугъуэм сыт щыгъуи гулъытэ хэха щыхудощI. Мис аргуэруи, ди жылэм и Iимам Нэгъуей Борис и жэрдэмкIэ, кхъэхэр зэщIэдгъэкъэбзащ. Абыхэм ярыт жыгхэм яхэгъукIа къудамэхэр пытхащ, къуацэхэр къидупщIыкIащ, къэрэкъурэ гъуахэр зэщIэткъуэри, псори дгъэсыжащ. Ди къуажэкхъэхэр къабзэу зэрызетхьэным дыхущIэкъу зэпытщ. Гъатхэм щыщIэдзауэ бжьыхьэм нэсыху абыхэм ярыт удзыр Къатинэ Юрэ къех икIи зэщIекъуэж. Уэсыр зэрытекIыу, Iимамым и къыхуеджэныгъэкIэ муслъымэнхэм щIыхьэху идогъэкIуэкI. Къуажэдэс нэхъыжьхэм ди гукъеуэхэм ящыщщ кхъэм дэт унэм и теплъэр. Iэмал щыдгъуэт, абы и унащхьэр зэтхъуэкIыу ремонт едгъэщIыну ди мурадщ. Сэ сыкъапщтэмэ, мыпхуэдэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэм сыхэтыну хуабжьу сфIэфIщ. Къуажэм агроном нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ сыщылэжьащ икIи цIыхухэм си гур якIэрыпщIауэ щытщ. Муслъымэныгъэр нэсу зыхэсщIэнымкIэ щхьэусыгъуэ схуэхъуащ си къуэр тIэунейрэ зэкIэлъхьэужьу авариешхуэхэм зэрыхэхуар. Къемылын я гугъэу, ар псэзэпылъхьэпIэм итащ. ЕтIуанэ фэбжьыр абы къыщылъысам, сегупсысыпащ: «Ярэби, гуауэм щхьэ кIуапIэ мыпхуэдизу дыкъищIауэ пIэрэ?» — жысIэри. Реанимацэм и бжэIупэм сыздыIусым зы шэшэн цIыхубз къыIухьащ илъэсиплI зи ныбжьын щIалэ цIыкIу и гъусэу. КъытщыщIам щыщIэупщIэм, Iуэхур зытетыр хуэсIуэтащ. ИтIанэ, и гур къысщIэгъуу, «нэмэз пщIырэ?», — жиIэри къызэупщIащ. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, сщIыртэкъым. «Сэри куэд щIакъым нэмэз щIын зэрыщIэздзэрэ, — къыпищащ абы. — Си щхьэгъусэмрэ сэрэ бын димыIэу зыкъомрэ дызэдэпсэуа нэужь, унагъуэм нэгъуэщI кърагъэшэжыну траухуащ. Сэ ар щхьэжэ сщыхъуащ: дызэгурыIуэрт, дызэдэIуэжырт. Махуэ гуэрым гъуэгу сытету псэлъэгъу схуэхъуа фызыжьым си гуауэр щыхуэсIуатэм, «Нэмэз щIы. Си Iуэхущ итIанэ уи лъэIур Алыхьым пIимыхмэ», — къызжиIащ. Абы и псалъэр спхыкIауэ сыкIуэжри, абдежым нэмэз щIыным щыщIэздзащ икIи куэд дэмыкIыу щIалитI зэкIэлъыкIуэу зэдэдгъуэтащ». «Сэри сызэхихыну мыгъуэу пIэрэ? Мы зэм и псэр къызэтенатэмэ, си гъащIэр нэмэз сщIыуэ схьынт», — жысIэри нэмэз щIыным зезгъэсащ. Мыгувэу, апхуэдизу хьэлъа си къуэр хъужащ! КъызэрызэфIэувэжу езгъэсауэ абыи нэмэз ещI. Абдежым хьэкъыу щыспхыкIащ уи Iуэхур Алыхьым бгъэдэплъхьэным нэхъ лъапIэрэ щхьэпэрэ зэрыщымыIэр. Тхьэм и шыкуркIэ, цIыхуфIхэри мы дунейм щымащIэкъым. МазитIрэ ныкъуэкIэ Мэзкуу и сымаджэщым си къуэр щыщIэлъам абы текIуэда псомкIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан къыддэдэIэпыкъуащи, Алыхьым и псапэр куэд ищI! СыпсэухукIэ си гум илъынщ, «Фэ кхъухьлъатэкIэ къэвмышэфынумэ, санавиацэм бригадэ щхьэхуэ игъусэу нывхуэзгъэкIуэнщ», къызэрыджиIар. БитIэхъу Мухьэрбий, лэжьыгъэм и ветеран. Iуэху щхьэпэ Куржым и премьер-министрым и мылъкукIэ мэжджыт иригъэухуэнущ Иванишвили Бидзинэ Чристэн диныр щытепщэ Куржы къэралыгъуэм хыхьэ, муслъымэнхэр куэду щыпсэу Аджарием и къалащхьэ Батуми мэжджыт ин щаухуэным гугъуехь лъэпкъ хэмылъу къелъытэ, зи телъхьэхэр иужьрей парламент хэхыныгъэхэм щытекIуэу, иджыблагъэ премьер-министр къулыкъур зыIэрыхьа Иванишвили Бидзинэ. — Сэ къызгурыIуэркъым муслъымэнхэр зыхуэныкъуэ мэжджытыр Батуми щыухуэным гугъуехь къыщIыхэкIар. Ахэр, адрейхэми хуэдэу, ди цIыхущ икIи динкIэ зыхущIэкъухэр къедгъэхъулIэн хуейуэ ди къалэнщ, — жиIащ Иванишвили Бидзинэ журналистхэм щаIущIам. — Зэрихьэ диным щхьэкIэ деныкъуэкъуу дэ зэи цIыхум лей къытедгъэхьэнукъым. Къапщтэмэ, сэ си мылъкукIэ мэжджыт езгъэщIыну сыхуейщ икIи ар зэрызэфIэдгъэкIыну Iэмалыр зэгъусэу къэдгъуэтынщ. Хъыбар гуапэ Франджым муслъымэнхэм я бжыгъэм щыхохъуэ Илъэс гъунэгъухэм Франджым муслъымэну щыпсэухэм я бжыгъэр мелуанихым щыщIигъунущ икIи ислъамыр къэралым официальнэу щызекIуэ етIуанэ дин хъунущ. Париж щекIуэкIа зэIущIэшхуэхэм ящыщ зым апхуэдэу щыжиIащ Франджым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Вальс Мануэль. «Tunivisions» хъыбарегъащIэ агентствэм къызэритымкIэ, абы къыхигъэщащ: «НобэкIэ Франджым мэжджыт 2300-рэ щаухуащ икIи ди правительствэмрэ европэ къулыкъущIэхэмрэ къалъытэн хуей хъунущ ислъамыр гъащIэм екIуу дэгъуэгурыкIуэ дину зэрыщытыр, цIыхум, псом хуэмыдэу, цIыхубзым, и хуитыныгъэхэр нэсу къихъумэу». Хьэлэмэтщ Роналду КъурIэным фIэфIу щIодэIу Дунейм и топджэгу нэхъ Iэзэ дыдэхэм ящыщ зы, Мадрид и «Реал»-мрэ Португалием и командэ къыхэхамрэ я гъуащхьауэ Роналду Криштиану хуабжьу фIэфIщ КъурIэн къызэреджэм едэIуэн. «Реал»-м къыдыхэт, Германием и командэ къыхэхам и гъуащхьауэ Озил Месут (лъэпкъкIэ тыркущ) Индонезием и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ящыщ зым щепсалъэм къыхигъэщащ Роналду и ныбжьэгъу нэхъыфIхэм зэрахибжэр икIи хущIыхьэгъуэ щаIэм и деж зэгъусэу КъурIэн зэреджэр. Роналду ислъамым и гъуэгу пэжым тезыгъэувэфыну цIыху езыр хъуну Озил щогугъ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26345.txt" }
«Петротрест» (Санкт-Петербург) — «Спартак-Налшык» — 0:2 Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012-2013 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, дыгъуэпшыхь Санкт-Петербург щекIуэкIа зэIущIэм апхуэдэ бжыгъэ кърикIуащ. Ди щIалэхэм ящыщу топхэр дагъэкIащ Руа Карлосрэ Медведев Алексейрэ. «Петротрест»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» я зэIущIэр зэрекIуэкIамрэ зи чэзу джэгугъуэм и ужькIэ турнир таблицэм игъуэта теплъэмрэ ятеухуа тхыгъэ ди газетым тетынущ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26354.txt" }
Нобэ Златоуст дэт Iэщэ заводым и лэжьакIуэ зыкъэзыIэтахэр 1903 гъэм пащтыхьыдзэм зэтриукIат. Бангладеш ЦIыхубэ Республикэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — щхьэхуит щыхъуа махуэщ. Гъатхэпэм и 26 — 28-хэм Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и унэм щызэхэтынущ гу дохутырхэм я зэхуэсышхуэр. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЦIыпIынэ Аслъэн къызэралъхурэ илъэс 54-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 5 — 9, жэщым градуси 4 — 6 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26356.txt" }
ЩIэблэр тхылъ еджэным драгъэхьэх ЕджакIуэхэм я гъатхэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ирихьэлIэу республикэм и библиотекэхэм щокIуэкI «Сабий тхылъым и тхьэмахуэ» зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Урысейм илъэс къэс зы тхьэмахуэ щыхухах сабий тхылъым. Апхуэдэ IэмалкIэ цIыхубэр хущIокъу щIэблэр Iуэху мыхъумыщIэхэм драмыгъэшэхыу гъуэгу захуэм — тхылъымрэ щIэныгъэмрэ щытепщэм — трагъэувэну. Нэхъыщхьэжращи, сабийр библиотекэм екIуэлIэху, и къэухьми хохъуэ, и гупсысэми зеузэщI. — Дызыщыгугъри ди плъапIэри щIэблэрщ. Ар акъылыфIэу, губзыгъэу, жану къэгъэтэджынымкIэ ди гуащIэ деблэж хъунукъым, — жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан, «Сабий тхылъым и тхьэмахуэм» хухаха гуфIэгъуэ зэIущIэр къыщызэIуихым. — Сыхуейт щIэблэм хьэкъыу япхыкIыну зы компьютери абы тет зы джэгукIэ гуэри тхылъым и пщIэм ауи зэрыпэмыхъунур. Тхылъырщ купщIэ зиIэр, гупсысэ зыхэлъыр. Сохъуэхъу еджакIуэхэр гъащIэм щыжыджэрыну, щIэныгъэм и купщIэм лъэ- Iэсыфыну. Фырэ Руслан щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ «Сабий тхылъым и тхьэмахуэм» 2012 гъэм къыщыхэжаныкIахэм. Апхуэдэу, «ЩIэджыкIакIуэ ныбжьыщIэ нэхъыфIу» къалъытащ Мироненкэ Марие (Май къалэм и курыт еджапIэ №1-м и 7-нэ классым ще-джэ), Брай Беслъэн (Шэджэм дэт 1-нэ школ, 3-нэ класс), Ашуров Алим (Налшык къалэ и курыт школ №25, 9-нэ класс), Табыхъу Фаридэ (Анзорей къуажэ, 4-нэ класс), Бжьыней Миланэ (Тэрч къалэ дэт лицей №1, 7-нэ класс) сымэ, нэгъуэщIхэри. 1812 гъэм екIуэкIа зауэр зэриухрэ илъэс 200 зэрырикъум ехьэлIауэ нэгъабэ къызэрагъэпэщауэ щыта зэпеуэм щытекIуа ныбжьыщIэхэри ягъэлъэпIащ. Ахэр: Теувэж Iэниуар (Налшык къалэ и курыт школ №18), Багъ Дианэ (Псынадахэ курыт еджапIэ), Уэщро Дисанэ (Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №2) сымэщ, нэгъуэщIхэрщ. Министрым гулъытэншэу къигъэнакъым лъэпкъ литературэм щIа- лэгъуалэр дегъэхьэхынымкIэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкI библиотекэхэри. Апхуэдэ пщIэ ялъысащ Арщыдан, Кэнжэ, Нейтринэ, Къэрэгъэш жыла-гъуэхэм, Май къалэм дэт библиотекэхэм я лэжьакIуэхэу «Си щIыналъэу Къэбэрдей-Балъкъэр» проектым зи гуащIэ къыхэщахэм. «Сабий тхылъым и тхьэмахуэм» и япэ махуэр гукъинэжу екIуэкIащ. Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм кърашэлIа ныбжьыщIэхэр клоуным, Мальвинэ хъыджэбз цIыкIум, Буратинэ, нэгъуэщI псысэ лIыхъужьхэми ягъэгуфIащ, абыхэм уэрэдхэр жаIащ, джэгукIэ хьэлэмэтхэр, фокусхэр ягъэлъэгъуащ. Мы тхьэмахуэм екIуэкIыну театр теплъэгъуэ кIэщIхэм, литературэ-макъамэ пшыхьхэм, тхылъыщIэхэм ятеухуа зэхыхьэхэм, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм, литературэ зэхуэсхэм, тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэм, нэгъуэщIхэми я еплъыкIэ, я гупсысэ къыщагъэлъэгъуэнущ класс нэхъ цIыкIухэми нэхъыжьхэми щIэсхэм. Апхуэдэуи еджакIуэхэм яIущIэнущ ди тхакIуэхэр, усакIуэхэр. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26359.txt" }
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр Къалэн куэд щызэфIагъэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ IуэхущIапIэм Кавказпсо щIалэгъуалэ зэIущIэ «Мэшыкъуэ-2013»-р къызэрызэрагъэпэщыну, зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэм щытепсэлъыхьащ. Абы хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Геккиев СулътIан, зэзыгъэуIу гупым и унафэщI Чернышев Сергей, зэхыхьэр хэIущIыIу зыщI, фIыкIэ зыгъэIу Лоленкэ Аннэ сымэ, нэгъуэщIхэри. «Мы гъэм Мэшыкъуэ щекIуэкIыну зэIущIэр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. Ахэр, псом япэрауэ, егъэджэныгъэ унэтIыныгъэращ зэхьэлIауэ щытынур. Дерс зэшыгъуэ, кIыхьлIыхь хъууэ щIалэгъуалэр дэзымыхьэхым и пIэкIэ лэжьыгъэ, Iуэху зэхуэмыдэхэм хэтыну Iэмал щыIэнущ», — жиIащ Чернышевым. Апхуэдэуи абы къыхигъэщащ, зи гугъу ящIа егъэджэныгъэ программэм и къуэпсым зэрызиубгъунур, нэхъапэм ар плIы фIэкIа мыхъуу щытамэ, мы гъэм 9-м зэрынэблагъэр. ЗэхъуэкIыныгъэ халъхьэнущ зыгъэпсэхугъуэ зэманым теухуа программэми. «Республикэм и махуэхэр» щIалэгъуалэ жыпхъэм иту, ныбжьыщIэхэм я деж щыцIэрыIуэ артистхэр хэту ирагъэкIуэкIын хуейуэ къызэрилъытэр жиIащ Лоленкэ Аннэ. Абыхэм къищынэмыщIауэ, «Мэшыкъуэ 2013»-р нэхъапэхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къащхьэщыкIынущ я лэжьыгъэм иIэ унэтIыныгъэхэм елъытауэ щIалэгъуалэр гуп-гупу зэрагуэшынумкIэ. «Ди щIалэгъуалэр зэрыдгъэцIыхуну, ныбжьэгъу зэхуэхъуну, иужькIи зэрыщIэну дыхуеймэ, зы щIыналъэм къикIхэр зэгъусэу дгъэтIыс хъунукъым», — къыхигъэщащ Лоленкэ Аннэ. КърихьэлIахэм Iуэху еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр къагъэлъэгъуащ, зэхыхьэм и пэ къихуэу абы хуэзыгъэхьэзыр зэIущIэхэр КИФЩI-м и дэтхэнэ щIыналъэми щегъэкIуэкIыным ехьэлIауэ. Ди республикэм и лIыкIуэхэм къызэралъытэмкIэ, ахэр икъукIэ сэбэп мэхъу зи щIалэгъуэм зыщIидза лэжьыгъэр и кIэм нигъэсу, къыпэщыт зэIущIэм езым зыхуигъэхьэзырыжыфу егъэсэн папщIэ. КъищынэмыщIауэ, и гугъу ящIащ щIалэгъуалэм я лэ-жьыгъэр утыку зэрырахьэнум ехьэлIа зэхъуэкIыныгъэхэми. Мы гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ «Мэшыкъуэ- 2013»-м хэтыну Iэмал яIэщ цIыху 240-м. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26364.txt" }
Адыгэ шхыныгъуэхэр Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Кабардинская кухня» тхылъ-альбомыр. Ар зи Iэдакъэ къыщIэкIа Къардэн ФатIимэт тхылъым хуищIа пэублэ псалъэм къызэрыхэщымкIэ, ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм ерыскъым пщIэшхуэ хуащIу къекIуэкIащ. Ерыскъым уелъэпэуэныр, ар хыфIэбдзэныр, уеблэмэ щыкъуей кIэрыщэщахэр къыумыщыпыжыныр гуэныхьышхуэщ. Псом хуэмыдэу гулъытэшхуэ хуащIу къогъуэгурыкIуэ гуп Iэнэ къэгъэувынымрэ абы телъым узэрыхэIэбэну щIыкIэмрэ ехьэлIа лъэпкъ хабзэхэр. Абыхэм гурыIуэгъуэу топсэлъыхь къардэныр. Зи гугъу тщIы тхылъым къыщыхьащ лъэпкъ шхыныгъуэ щхьэхуэхэм я гъэхьэзырыкIэр. Ахэр лэпс тепхъэ, лы гъур гъэжьа, лыцIыкIулыбжьэ, лыбжьэ, тхьэмщIыгъуныбэрэ шыпсрэ, джэдлыбжьэ, жэмыкуэ, кхъуейжьапхъэ, джэдыкIэрыпщ, зэкIэрыс, хьэлыуэ, нэгъуэщIхэрщ. Альбом щапхъэм иту, бзищкIэ зэхэту (урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ) къыдагъэкIа «Кабардинская кухня» тхылъым теплъэ дахэ иIэщ, сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ. Шэч хэлъкъым апхуэдэ тыгъэм дэтхэнэ зы унэгуащэри зэрыщыгуфIыкIынум. ЖАНХЪУЭТ Зузэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26369.txt" }
Нэхъыжь Iумахуэ Кавказыр гъащIэ кIыхь хъуа и цIыхухэмкIэ сыт щыгъуи цIэрыIуэщ. Нэхъыжь губзыгъэхэр, акъыл гъэтIыса зиIэхэр дызэрыгушхуэ хъугъуэфIыгъуэ гуэру дызэриIэм и мызакъуэу, лъэпкъ хабзэм и хъумакIуэ, унагъуэ зэхущытыкIэм и щапхъэ нэс, блэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ кIапсэ быдэ тхуохъу. ШахэкIеишхуэ къуажэ щыщ Гъуащэ (Хьэтх) МуIминат Мустэфа и пхъур илъэсищэ щрикъу махуэр Iэтауэ иджыблагъэ хуагъэлъэпIащ. Сочэ дэс нэхъыжьыфIхэм ящыщ цIыхубзым нэфIэгуфIэу, гукъыдэжыр и Iэпэгъуу, акъыл жан бгъэдэлърэ гушыIэныр зыхилъхьэ щымыIэу и махуэшхуэм IущIащ. МуIминат Адыгэ Республикэм хыхьэ Тохъутэмыкъуей куейм щыщ Ахупсыпэ къуажэм къыщалъхуащ. КъызыхэкIам хуэфащэу, пэжыгъэрэ цIыхугъэрэ щытепщэ гъащIэ гъуэгуанэ къикIуащ абы. БлэкIам щыщ дэтхэнэ махуэри нобэм хуэдэу зыщIэж бзылъхугъэм хьэлэмэт куэд къыбжиIэжыфынущ. МуIминат и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуну хуеблэгъат и благъэ-Iыхьлыхэр, гъунэгъухэр, къуажэ администрацэм, тенджыз ФIыцIэ Iуфэ Iус Шапсыгъхэм я нэхъыжьхэм и советым, «Кичмай» ветеран зэгухьэныгъэм я лIыкIуэхэр. Езым дежкIэ псом нэхърэ нэхъ насыпышхуэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдэпсэу и унагъуэращ. МуIминат бынищ ипIащ, къуэрылъху-пхъурылъхуу тху, абыхэм я быныжу цIыкIуищ иIэщи, псоми гурыфIыгъуэ кърат. Нанэм и махуэм кърихьэлIа дэтхэнэри гузэвэгъуэншэу, узыншагъэ быдэ иIэрэ гукъыдэжым щымыщIэу иджыри куэдрэ яхуэпсэуну къехъуэхъуащ! Ныбэ Анзор.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26372.txt" }
Щыуагъэхэр ягъэзэкIуэж «Петротрест» (Санкт-Петербург) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:2 (0:1). Санкт-Петербург. «Петровский» МСА. Гъатхэпэм и 25-м. ЦIыху 300 еплъащ. Судьяхэр: Мирошниченкэ (Дон Iус Ростов), Малородов (Саратов), Минц (Новгород Ищхъэрэ). «Петротрест»: Арсеньев,Тарасюк (Кудинов, 46), Ершов, Костин, Сурков, Мамаев (Сушкин, 70), Кирсанов, Федоров (Андреев, 64), Егоров (Семенов, 46), Уэскэ, Мязин. «Спартак-Налшык»: Коченков, Засеев, Овсиенкэ, Тимошин, Багаев, Буйтрагэ (Коронов, 90+3), Зинович, Концедалов (Дорожкин, 90), Руа Карлос (Сирадзе, 80), Аверьянов, Медведев. Топхэр дагъэкIащ: Руа Карлос, 25 (0:1). Медведевым, 74 (0:2). Дагъуэ хуащIащ Фёдоровымрэ Аверьяновымрэ. «Спартак-Налшыкым» и иужьрей джэгугъуитIми къыщыхэжаныкIащ иджыблагъэ зыхагъэхьа Медведев Алексей (№13). Нэгъабэ шыщхьэIум (августым) и 28-м зэхэта 2012 — 2013 гъэхэм япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и ебгъуанэ джэгугъуэм Налшык щыIэу «Петротрест»-р ди щIалэхэм 2:0-у къазэрытекIуар телъыджэ къытщыхъуат. Апхуэдэу къыщIэхъуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр мазэ зытIущ и пэкIэ премьер-лигэм хэта «Спартак-Налшыкым» етIуанэ дивизионым къикIагъащIэ санкт-петербургдэсхэм хуэфэщэн гулъытэ зэрыхуамыщIарт. Абы лъандэрэ мазий дэкIащ икIи и чэзу хъуащ щыуагъэхэр ягъэзэкIуэжыну. Премьер-лигэм щIэбэныну Iэмал къезыт ещанэ-еплIанэ увыпIэхэм гъунэгъу хуэхъуа налшыкдэсхэм иджы джэгугъуэ къэс я очко бжыгъэм хагъэхъуэн хуейщ. Апхуэдэ мурадхэр яIэу ахэр Санкт-Петербургрэ Мэзкуурэ ежьащ. Армырамэ, хъуэпсапIэр нэхуапIэ хъунукъым. Вэсэмахуэ япэу зыIущIа «Петротрест»-р хущIэкъуащ мыгъэрей зэпеуэр тIэунейрэ къыхагъащIэу хуэмыхуу зэрыщIидзар игъэтэмэмыжыну. Ар занщIэу къаруушхуэкIэ ипэкIэ кIуэтащ, «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэхэм я зэфIэкIыр здынэсыр игъэунэхуну. Куэд мыщIэу хэгъэрейхэм я гъуащхьауэхэу Уэскэрэ Мязинымрэ бжыгъэр къызэIуахыну Iэмал хъарзынэхэр къахукъуэкIащ. АрщхьэкIэ зэм топым Коченковым къригъэгъэзащ, адрейр гъуэм хуэзэххакъым. Абы и ужькIэщ хьэщIэхэм зыкъыщызэкъуахар. Иджыри къэс бысымхэм я зэфIэкIым кIэлъыплъа налшыкдэсхэм езыхэми зыгуэрхэр зэракъуэлъыр наIуэ ящIащ. 24-нэ дакъикъэм Руа Карлос жыжьэу щыту апхуэдизу лъэщу гъуэм еуати, «Петротрест»-м и гъуащхьэтетым абы зыри хуещIакъым — топыр плIанэпэ дыдэм дыхьащ. Япэ зэрищам «Спартак-Налшыкыр» нэхъри тригъэгушхуащ. Абы щыгъуэми санкт-петербургдэсхэм я лъэр щIэхуащ. Ар ди щIалэхэм къагъэсэбэпакъым икIи бжыгъэм зимыхъуэжауэ джэгум и япэ Iыхьэр иухащ. Загъэпсэхуу къызэрихьэжу, хэгъэрейхэм къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIуэн ирагъэжьащ. ИкIи ар гурыIуэгъуэт — уи стадионым укъыщыхагъэщIэну сыт щыгъуи гутехуэгъуафIэкъым. Ар къэмыхъун папщIэ «Петротрест»-м лъэкI къигъэнакъым. Зы ебгъэрыкIуэныгъэм адрейр къыкIэлъыкIуэрт икIи мыгувэу бжыгъэр зэхуэдэ хъужыну къыпщыхъурт. А дакъикъэ хьэлъэхэм ди футболистхэм дэIэпыкъуныгъэ нэс къратащ Санкт-Петербург щитIысыкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэм. Абыхэм я макъ къызэрихькIэ «Спартак-Налшыкыр» трагъэгушхуэрт, хэгъэрейхэм дэщIхэр къыдамыгъэплъу. Зыщыщ къэралхэм я командэ къыхэхам я зэIущIэхэм ирагъэблэгъа Джудович Миодраг (Черногорие), Чеботару Евгений (Молдовэ), Болэ Руслан (Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ гуп) сымэ зэрыхэмытым ди командэм и къарур нэхъ мащIэ ищIами, адрей къэнахэри текIуэныгъэм ерыщу щIэбэнырт. Абыхэм зыкъомрэ хэгъэрейхэр зэтраIыгъащ икIи Iэмал щагъуэтым ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщ къызэрагъэпэщри, бжыгъэр ягъэбэгъуащ. И щIыбыр гъуэм хуэгъэзауэ Медведевым топыр къыIэрыхьа пэтми, «Петротрест»-м и гъуащхьэхъумэхэр къыкIэрыщIауэ абы зафIигъазэри, Iэзэу еуащ — 2:0. Къэнэжа дакъикъэ пщыкIутхум санкт-петербургдэсхэм къайхъулIаишхуэ щыIэкъым. Ахэр япэми хуэдэу къаруушхуэкIэ ди гъуэм къебгъэрыкIуэрт, уеблэмэ топ щыдагъэкIаи щыIэщ. АрщхьэкIэ абы ирихьэлIэу футбол хабзэр къызэрызэпаудам къыхэкIыу судьям ар хибжакъым. «Спартак-Налшыкым» мыпIейтейуэ джэгур и текIуэныгъэм хуигъэкIуащ икIи япэ дивизионым щыпашэхэм яхыхьэжащ. АдэкIэ псори зэлъытэжар езыращ. Гуапэщ ди хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэу «Ротор»-м, «Нефтехимик»-м, «Уфа»-м очко тIурытI-щырыщ зэрафIэкIуэдар. Ауэ абыхэм уащIыщыгугъыщэн щыIэкъым — ди щIалэхэм я насыпыр езыхэм зыIэрагъэхьэжын хуейщ. Иджы щыгъуазэ фыхуэтщIынщ япэ дивизионым хэт адрей командэхэм зи чэзу джэгугъуэр зэрырагъэкIуэкIам. Абыхэм я зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къарикIуащ: «Урал» (Свердлов область) — «Ротор» (Волгоград) — 1:1, «Енисей» (Красноярск) — «Салют» (Белгород) — 1:1, «Металлург-Кузбасс» (Новокузнецк) — «Волгарь» (Астрахань) — 1:0, «Уфа» (Уфа) — «Балтика» (Калининград) — 0:2, «Нефтехимик» (Нижнекамск) — «Сибирь» (Новосибирск) — 0:1, «Шинник» (Ярославль) — «Томь» (Томск) — 2:1. «СКА-Энергия» (Хабаровск) — «Торпедо» (Мэзкуу) зэIущIэр накъыгъэм (майм) и 10-м ягъэIэпхъуащ. КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэри «Спартак-Налшыкым» нэгъуэщI стадионым щригъэкIуэкIынущ. Мэлыжьыхьым (апрелым) и 2-м ар Мэзкуу къалэм «Торпедо»-м щыIущIэнущ. Жыласэ Заурбэч. ЗэIущIэ нэужьым Ткаченкэ Леонид, «Петротрест»-м и тренер нэхъыщхьэ: Апхуэдэ джэгукIэм фIы къытхуихьынущ — КIуэ пэтми нэхъыфIу доджэгу, ауэ аргуэрыжьти, дыкъыхагъэщIащ. Иджы 0:2-уэ. ЩIалэхэм я гукъыдэжыр инщ, Iэмал гъуэзэджэхэри яIэщ. Къапщтэмэ, Уэскэ етIуанэ Iыхьэм топ дигъэкIын хуеящ, арщхьэкIэ гъуэм хуигъэзэфакъым. Апхуэдэ дыдэ Iэмал къыхукъуэкIати, Медведевыр къыхэжаныкIащ. Сыт жыпIэн? КъищынэмыщIауэ, ди гъуащхьауэхэри къызэтеувыIэпащ. СызэригугъэмкIэ, дыщIэпIейтеин щыIэкъым: апхуэдэ джэгукIэм Iэмал имыIэу фIы къытхуихьынущ. Шыпш Тимур, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ: Хуабжьу дызыхуэныкъуэ текIуэныгъэщ — Джэгур хьэлъэ хъуащ, ауэ хуабжьу дызыхуэныкъуэ текIуэныгъэ абы къыщытхьащ. Командэ лъэщ икIи зэщIэгъэуIуа нобэ хэдгъэщIащ. ЕтIуанэ Iыхьэм мащIэу детIысэхат, ауэ топ зэрыдэдгъэкIам къару къытхилъхьэжащ. — Сыт хуэдэ къалэн мы гъэм «Спартак-Налшыкым» иIэр? — Япэ дивизионым и командэ нэхъыфIиплIым дахыхьэну. — Фи командэм щыджэгухэмкIэ премьер-лигэм фыщIэбэныфыну? — Шэч хэмылъу, зыдгъэлъэщыпхъэщ. Абы щыгъуэми ди щIалэщIэхэр куэдкIэ узыщыгугъ хъунухэщ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26376.txt" }
Дунейпсо мардэм тету зэпоуэ Ди газетым зэрытетащи, Урысей Федерацэм бгы-лыжэ спортымкIэ и кубокыр къэхьынымкIэ 7-нэ зэхьэ- зэхуэр гъатхэпэм и 21 — 25-хэм Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа спортсменхэр. Зэхьэзэхуэр къызэIузыхахэр: (ижьымкIэ къыщыщIэдзауэ) АфIэунэ Аслъэн, Гурьев Юрий, Мамонов Михаил. Урысейм Бгы-лыжэ спортымрэ сноубордымкIэ и федерацэм и президиумым хэт, зэпеуэм кърикIуэхэр къэзыпщытэ гупым и унафэщI Гурьев Юрий япэ махуэр къызэрыщыхъум теухуауэ журналистхэр дыщеупщIым, жиIащ: — Спортсменхэр щызэхаша щIыпIэр сыт и лъэныкъуэкIи зэпеуэм хуэщIащ. «Лъагъуэхэр» зэрыхаш щIыкIэр дунейпсо мардэм зыкIи къыкIэрыхуркъым. Езы спортсменхэри зэхьэзэхуэм зэрыхуэхьэзырым гу лъыботэ. Мы махуэхэм ирихьэлIэу уэс къызэресари дэркIэ фIыгъуэшхуэщ. Пэублэ зэхыхьэм къыщыпсэлъащ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн: — Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэр ди лъахэм зэрыщекIуэкIым республикэм и пщIэр нэхъ лъагэ ищI къудейкъым, атIэ бгы-лыжэ спортымкIэ щIыналъэ, урысейпсо, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ зэпеуэхэр дяпэкIи ди деж къыщызэбгъэпэщ зэрыхъунум и нэщэнэщ. Япэрей зэпеуэр «слалом»-кIэ зэджэрт. Абы бжьыпэр щызыIэригъэхьащ Новокузнецк щыщ Счастных Александр. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, Свердлов областым и лIыкIуэ Ушаков Андрейрэ Кемеров областым хиубыдэ Мыски къалэм щыщ Фоминых Владимиррэ хуагъэфэщащ. «Слалом къыхэгъэщхьэхукIам» щытекIуащ Екатеринбург къикIа Жилин Алексей. Мы махуэм екIуэкIа зэпеуэм спортсмен 35-рэ хэтащ. ЦIыхубз слаломым щытекIуахэр: Алопинэ Ксение (яку дэтщ), Астапенкэ Дарье (сэмэгумкIэ), Яковишинэ Еленэ. ТекIуахэм ехъуэхъуащ КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн, бгы-лыжэ спортымкIэ Дунейпсо федера-цэм и кIэлъыплъакIуэ Фишер Андреас, республикэм бгы-лыжэ спортымрэ сноубордымкIэ и федерацэм и президент Беккаев Хьисэ, зэхьэзэхуэм и судья нэхъыщхьэ Мамонов Михаил сымэ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм слаломымкIэ цIыхубзхэм я зэпеуэ екIуэкIащ. АбыкIэ япэ увыпIэр къихьащ Урысейм и командэ къыхэхам хэт, Мэзкуу областым щыпсэу Алопинэ Ксение. ТекIуам кIэщIу яужь иту, Азау хуейм къыхуэплъэ джабэ лъабжьэм щагъэува «куэбжэм» къыдэжащ, етIуанэ увыпIэр зыхуагъэфэща, Кемеровэ областым щыщ Астапенкэ Дарье. Ещанэу бгы лъабжьэм къыщIэхутащ Камчаткэ щIыналъэм къикIа Яковишинэ Еленэ. А махуэм екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм бзылъхугъэ 26-рэ хэтащ. Гъатхэпэм и 22-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ дэгухэм бгы-лыжэ спортымкIэ я зэпеуэри. Абы хэтащ Камчаткэ, Астрахань, Мэзкуу областхэм, Кавказ Ищхъэрэм и хэгъуэгухэм щыщ спортсмен 30. Абыхэм илъэс 16 — 29-рэ я ныбжьщ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм Бахъсэн псыхъуащхьэ щекIуэкIащ слалом-гигант бгы къежэхыкIэмкIэ цIыхухъухэми цIыхубзхэми я зэпеуэ. ЩIалэхэм ящыщу бжьыпэр зыIэригъэхьащ Жилин Алексей. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр хуагъэфэщащ Камчаткэ къикIа Тулупов Евгенийрэ ищхьэкIэ зи цIэр къитIуа Фоминых Владимиррэ. Слалом-гигант зэпеуэм щытекIуахэу Романовэ Анастасиерэ Жилин Алексейрэ. Слалом-гигантымкIэ цIыхубзхэм я зэпеуэм щытекIуар Мэзкуу областым щыщ Романовэ Анастасиещ. Абы кIэщIу и ужь итщ аргуэру «дыжьыныр» зыхуагъэфэща Астапенкэ Дарье. Бедарёвэ Марие ещанэ увыпIэр къылъысащ. Iуащхьэмахуэ лъапэ бгы-лыжэ спортымкIэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм кърикIуахэр гъатхэпэм и 24-м зэхалъхьэжащ. Кубокыр къахьащ Кемеровэ областым къикIа спортсменхэм. Ахэр зэпеуэм хэта адрей командэ псоми фIыуэ япэ ищащ. Гупым хузэфIэкIащ зэхьэзэхуэм нэхъ лъагэ дыдэу къыщалъытэ балл мин хъу гъунапкъэм щхьэдэхыу, очко 1054-рэ къихьын. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр хуагъэфэщащ Камчаткэ, Свердлов областхэм къикIа спортсмен гупхэм. Абыхэм очкоуэ къахьар, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, 745-рэ, 699-рэ мэхъу. Фишер Андреасрэ Беккаев Хьисэрэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм текIуэныгъэ къыщызыхьа командэхэм ехъуэхъуащ, ЩIыхь тхылъхэмрэ тыгъэ лъапIэхэмрэ иратащ. Зэхьэзэхуэр щызэхуащIыжым иращIэкIа зэхыхьэм Беккаев Хьисэ щыжиIащ гъэ къакIуэ Сочэ ЩIымахуэ Олимп Джэгугъуэхэм щыщIамыдзэ щIыкIэ, бгы-лыжэ спортымкIэ Урысейм и Кубокыр къэхьыным теухуа щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэр Iуащхьэмахуэ лъапэ щрагъэкIуэкIыну зэрамурадыр. Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26379.txt" }
Адыгэбзэм и къару Илъэс ныкъуэ хъуауэ Интернетым щолажьэ «Адыгэбзэм и къару» фIэщыгъэмкIэ утыку къихьа адыгэ сайтыр. Дуней псом щыцIэрыIуэ тхыгъэхэу адыгэбзэкIэ щыIэхэр зэхуэхьэсыжын, а гъуэгуанэм адэкIи пыщэн жэрдэмкIэ зэакъылэгъу хъуахэм я гупыжкIэ къежьа сайтым и къуэпсхэм зеубгъу. ЩIэджыкIакIуэхэр «къоплъ» Мэзкуу, Санкт-Петербург, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Украинэм, Германием, Тыркум, Сирием, Швецием, Франджым, Сауд Хьэрыпым, Иорданием, Узбекистаным, Израилым, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Абхъазым, Инджылызым, Латвием, Чехием, США-м, Канадэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм. МащIэ-мащIэурэ къехьэлIэжа мэхъу Къэбэрдейр республикэ щхьэхуэу щыщыта зэманым зэрадзэкIа тхыгъэ цIэрыIуэхэр. Абыхэм ящыщщ ЩоджэнцIыкIу Алий, Жаным Борис, Къардэн Бубэ, Теунэ Хьэчим, Елбэд Хьэсэн сымэ я зэдзэкIыгъэ пасэхэр. КъыкIэлъыкIуэ зэманым дунейм къытехьащ Нало Заур, Тхьэгъэзит Зубер, Къагъырмэс Борис, Мысачэ Петр, Бещтокъуэ Хьэбас, Ацкъан Руслан, Уэрэзей Афлик, Къэрмокъуэ Хьэмид, Къалмыкъ Аднан сымэ я лэжьыгъэхэр. УзыщыгуфIыкI хъуну псынэщ НэщIэпыджэ Замирэрэ Щомахуэ Залинэрэ зэдзэкIын IуэхукIэ яубла лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр. Адыгэбзэм къимызэгъэну къытфIэщI щIэныгъэм и бзэр тхущI гъэхэм ботаникэм, географием, математикэм къызэрыщагъэсэбэпу щытар тхыдэ папщIэу щIэбджыкIыж пэтрэ, анэдэлъхубзэм и къарур здынэсыр нэрылъагъу пщыхъуу фIым ущыгугъынри гуапэщ. Нобэ фи пащхьэ ныдолъхьэ сайтым илъ лэжьыгъэхэм ящыщ пычыгъуэхэр. Дэтхэнэ зыри кърагъэблагъэ «Адыгэбзэм и къару» сайтми (www.adygabza.ru), абы и цIэджэгъуу сайтым илъ тхыгъэхэм щытепсэлъыхь «Адыгэбзэм и къару» фейсбук напэкIуэцIми. Кафкэ Франц Адэм деж письмо Пычыгъуэ Си адэ лъапIэ! Зымахуэ сыпщышынэу щIыжысIэмкIэ укъызэупщIат. Зэрыхъу хабзэу, жэуап уэстыжыфакъым. Зы лъэныкъуэкIэ, сыпщышынэрт, адрей лъэныкъуэкIи а шынэр къызыхэкIыр IупщI хъун папщIэ, тепсэлъыхьыгъуейуэ куэдыIуэ къэгъэхъеин хуейт. Иджыпсту жэуапыр тхыгъэкIэ уэстыжыну сыхэтми, ар нэмыгъэсыпауэ къэнэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сызэрыпщышынэмрэ абы кърикIуэнкIэ хъунухэмрэ зэран къысхуохъу. КъэтIэщIыжын хуей къомри си акъылымрэ си гумрэ яхуэгъэкъаруунукъым. Уэ Iуэхур сытым дежи къызэрыгуэкIыу къыпщыхъурт — арат сэри, хэплъыхь умыщIу адрей куэдми, къыджепIэ хабзэр. Мыпхуэдэ гуэрут Iуэхур зэрыплъагъур: уэ уи гъащIэ псом псэемыблэжу улэжьащ, сытри уи щхьэм фIэпхыурэ бынхэм ептащ, псом хуэмыдэу сэ. Абы и фIыгъэкIэ сэ «жьыр дэнэкIэ къепщэми сымыщIэу» сыпсэурт, сызыхуейм сыхуеджэну сыхуитащ, сшхын къэзлэжьыжын хьэзаб стемылъу, абы къикIыр къалэн лъэпкъ симыIэххэу. Абы щхьэкIэ уэ фIыщIэ къысхуэфщIи жыпIэртэкъым: быным я фIыщIэр жыжьэ зэрынэмысыр уэ фIыуэ уощIэ. Плъагъуну узыхуейр, нэгъуэщI мыхъуми, къытхуэпщIэр къызэрыдгурыIуэм и нэщэнэ гуэррэ гущIэгъурэт. Абы и пIэкIэ сэ куэд щIауэ си пэшым, си тхылъхэм, си щхьэм къищхьэрыуэ гупсысэхэм, си ныбжьэгъу ныкъуэделэхэм я деж защыпфIызогъэпщкIу. Сэ зэи си гум илъыр бжесIакъым, уи псэм и тхьэлъэIупIэм сыныщIыхьакъым, Францесбан зэи сыщыпщIэупщIакъым, сытми, зэи Iыхьлагъ уэзгъэлъэгъуакъым, тыкуэнми адрей Iуэху зепхуэхэми сыщIэупщIакъым. Фабрикэр уи пщэм дэслъхьэри зызгъэкIуэдыжащ, Оттлэ и ерыщагъыр дэсIыгъащ, си ныбжьэгъухэм щхьэкIэ сытри сощIэ, уэ щхьэкIэ сытэджу сытIысыжакъым, уеблэмэ игъащIэм театрым узэрыкIуэн билет къыпхуэсхьакъым. Сэ стеухуауэ узэгупсысыр зэщIэпкъуэжмэ, сызэрыбгъэкъуаншэу къыщIэкIынур нэмысыншагъэкъым икIи бзаджагъэкъым — кIуэ, иужьрей си къэшэн мурадыр хэмытмэ — атIэ сызэрыгущIыIэр, хамэгу-хамащхьэу сызэрыщытыр, къысхуэпщIэр къызэрызгурымыIуэращ. Ахэр къызэрызэбудэкI щIыкIэри сэ си закъуэ псомкIи сыкъуаншэ хуэдэущ, зы IумпIэ екъугъуэкIэ псори нэгъуэщI гъуэгукIэ схуэунэтIыным ещхьу. Ауэ щыхъукIэ, уэ зы къуаншагъи ббгъэдэлъкъым, кIуэ, щабэIуэу укъызэрысхущытар хыумыбжэмэ. А укъызэрызэгупсыс хабзэр сэри пэжу къызолъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хамэ дызэрызэхуэхъуамкIэ губгъэн пхуэсщIыркъым. Ауэ сэри зыкIи сыщыкъуаншэкъым а Iуэхум. Ар уи фIэщ схуэщIамэ, зы Iэмал гуэр къыкъуэкIынкIи хъунт, гъащIэщIэ жысIэркъым, абы щхьэкIэ тIуми ди ныбжьыр хэкIуэтэIуащ, ауэ, нэгъуэщI мыхъуми, зэгурыIуэ гуэр. КIэ имыIэу дзы къысхуэбгъуэтын хьэлыр зэхыумыныпэми, ахэр, нэгъуэщI мыхъуми, нэхъ щабэ хъунт. Сыт хуэдизу мыгъэщIэгъуэнми, уэ уи гум ещIэ сэ бжесIэну сызыхуейр. Зымахуэ, псалъэм папщIэ, къызжепIащ: «Сэ сыт щыгъуи фIыуэ услъагъурт, адрей адэхэм хуэдэу фэрыщIу сыпхущымытыфми». Сэ зэи шэч къытесхьэххакъым фIыуэ укъызэрысхущытым, итIани мы уи псалъэхэр мыпэжу къысфIощI. Дауи, уэ фэ зытебгъэуэфыркъым. Ауэ аркъудейм щхьэкIэ, адрей адэ псори фэрыщIу къыубжмэ е зыри къыумыдзэххэу удэгу-нэфщ, е, пэжым нэхъ ещхьращи, ди зэхуаку дэмылъыпхъэ гуэр зэрыдэлъымрэ абы уэри уи къуаншагъэ зэрыхэлъымкIэ, жумыIэпэми, зыкъыбоумысыж. Апхуэдэу уегупсысмэ, дэ жытIэр зэтохуэ. Сэ жысIэркъым сызэрыщытым хуэдэу сыщIэхъуар уэ уижь къызэрысщIихуам къыхэкIауэ. Ар егъэлея дыдэу щытынут, апхуэдэ егъэлеикIэр си хьэлу щытми. Уэ укъысхэмыIэбэххэу зызужьауэ щытами, итIани уигу дыхьэ цIыху сыхъуфынутэкъым сэ. Армырми, зи гур къимыхьэ сабий махэ, тегушхуэгъуей, цIыху IэубыдыпIэншэ сыхъуну къыщIэкIынт: Кафкэ Роберт жыпIэми, Германн Карл хуэдэхэм саремыщхьми, нэгъуэщI зыгуэру, иджыпсту сызэрыщытым сыхуэмыдэу, уэрэ сэрэ фIы дыдэу дызэгурыIуэу. Сэ сынасыпыфIэнут уэ ныбжьэгъуу, унафэщIу, адэшхуэу, уеблэмэ (мыбдеж тIэкIу зызолъэфыхь) щыкъуадэу узиIамэ. Ауэ си адэу ущытын IуэхукIэ уэ убланэIуэт, сэ сэлъытауэ. Псом хуэмыдэу си къуэшхэр пасэу зэрылIам, си шыпхъухэр кIасэIуэу къызэралъхуам къыхэкIыу, уи япэрей бын ебгъэрыкIуэгъуэр си закъуэ згъэвын хуей хъуащ, а IуэхумкIэ сэ сымахэIуэт. Достоевский Федор ЦIыху дыхьэшхэным и пщIыхь Пычыгъуэ Къэгупсыса хъыбар Сэ сыцIыху дыхьэшхэнщ. Абыхэм иджы делэ къысхужаIэ. Къысщытхъуауэ сыбжынт, япэм ещхьу сафIэдыхьэшхэну сыкъэнауэ щымытамэ. Ауэ иджы сыкъэгубжьыжыркъым. Иджы ахэр псори сфIэцIыхуфIщ, къыщысщыдыхьэшххэм и дежи сфIэцIыхуфIхэщ. Сэри садэдыхьэшхынт абыхэм. Сызыщыдыхьэшхыжыну аратэкъым. Арыххэу, езыхэр фIыуэ зэрыслъагъум папщIэ. СащыхэплъэкIэ апхуэдизу сигу хэмыщIтэмэ. Сигу щIыхэщIыр пэжыр ящIэркъыми аращ. Сэ-тIэ сощIэ пэжыр. Сыту гугъу, гущэ, уи закъуэ пэжыр пщIэну! АрщхьэкIэ ар къагурыIуэнукъым. Хьэуэ, къагурыIуэнукъым. Япэм Iейуэ сыхигъаплъэрт дыхьэшхэныфэ зэрыстетым. Стету аратэкъым, сыдыхьэшхэнт. Сэ сыт щыгъуи сыдыхьэшхэнт икIи сызэрыцIыкIурэ сщIэуэ къыщIэкIынщ ар. Илъэсибл сыщыхъум сщIэ хунт сызэрыдыхьэшхэныр. ИужькIэ школым сыщеджащ, итIанэ — университетым. Сыт-тIэ? Нэхъыбэрэ седжэху, сызэрыдыхьэшхэныр нэхъри нэхъ IупщIу къызгурыIуэрт. Си университет щIэныгъэм зэрыщыту и мыхьэнэр аращ жыпIэнт — нэхъ куууэ сыхэгъуэзэху, сызэрыдыхьэшхэным шэч къытезмыхьэжу си фIэщ ищIыпэну. ГъащIэми щIэныгъэм ещхьут Iуэхур зэрыщекIуэкIыр. Илъэс къэс сыт и лъэныкъуэкIи а сызэрыдыхьэшхэнымрэ абы шэч зэрыхэмылъыжымрэ сызэрегупсыс щIыкIэм зиужьырт. Сыт щыгъуи къысщыдыхьэшхырт сэ псори. Ауэ абыхэм ящыщу зыми игу къэкIыртэкъым сызэрыдыхьэшхэныр псом нэхърэ нэхъыфIу зыщIэр сэр дыдэрауэ зэрыщытыр. Арат псом нэхърэ нэхъ си жагъуэ хъур — ар зэрамыщIэр. Ауэ абыкIэ сэрат къуаншэр: сэ сыт щыгъуи сыпагэт икIи зэи зыми зыхуэзумысыжыну си щхьэ теслъхьэнутэкъым. А пагагъми гъэ къэс хэхъуэрт. СызэрыдыхьэшхэнымкIэ зыгуэрым и пащхьэ зыкъыщызумысыжын хуэдэу зэгуэр си щхьэ згъэлъэхъшамэ, тобэ ирехъу, а пщыхьэщхьэ дыдэм кIэрахъуэкIэ си щхьэр зэгуэзымыудыжтэм. Сыт хуэдэу сигу хэщI мыгъуэрэт сэ, си сабиигъуэм схуэмышэчу ныбжьэгъухэм я зым зыхуэзумысыжмэ жысIэу. Ауэ щIалэ сызэрыхъурэ а си хьэл мыгъуэр кIуэ пэтми нэхъ къэсцIыхуми, си гур зэрымыщIэкIэ нэхъ мамыр хъуащ. Зыгуэр дыдэ щхьэкIэ, ауэ а зыгуэрыр сытми нобэр къыздэсым къысхуэубыдкъым. Ар щыщ къысхэмынэу сэ нэхърэ нэхъ лъагэ гуэрым си гур зэритхьэкъупарауэ къыщIэкIынт: шэч къытезмыхьэжу си фIэщ хъуат мы дунейм, дэни къыщыщти, зыри къызэримыкIыр. Ар куэд щIауэ си гум жиIэрт сэ, ауэ иужьрей илъэсым зэуэ къыспкърыхьэпащ. Зэуэ зыхэсщIащ дунейр щыIэми, зыщIыпIи зыри щымыIэми си дежкIэ зыри къызэримыкIыр. Зэрыщыту силкIи сигукIи зыхэсщIэн щIэздзащ сыпсэуху зыри къызэрымыхъуар. Япэ щIыкIэ иджыпсту зыри къэмыхъуми, пасэм куэд къэхъуауэ къысфIэщырт, ауэ, сегупсысурэ, пасэми къызэрымыхъуар, псори къысфIэщI къудейуэ зэрыщытар, къызгурыIуащ. ДяпэкIи къызэрымыхъунури хуэм-хуэмурэ си фIэщ хъуащ. Арати, зэуэ цIыхухэм сахуэгубжьын щызгъэтри, ахэр къысфIэмыIуэхужыххэ хъуащ. Уи фIэщ щIы, ар нэхъ Iуэху мыхьэнэншэ дыдэхэми къыхэщырт. СрокIуэ, псалъэм папщIэ, уэрамми, цIыхухэм сажьэхоуэ. Сызэрыхэгупсысыхьаракъым: сытыт сызэгупсысынур, а зэманым сыгупсысэжыххэртэкъым, зыри къысфIэIуэхуртэкъыми. Ар хъунт, упщIэ псоми жэуап къахуэзгъуэтатэмэ. Хьэуэ мыгъуэ, зы жэуапи къэзгъуэтатэкъым. Ауэ зыри къикIыртэкъыми упщIэхэр кIуэдыжащ. Мис абы и ужьщ пэжыр къыщысщIар. Пэжыр нэгъабэ щэкIуэгъуэ мазэм, щэкIуэгъуэм и щым къэсщIауэ, абы лъандэрэ дакъикъэ къэс сощIэж. Ар къыщыхъуар пщыхьэщхьэ фагъуэт, нэхъ фагъуэ дыдэу къыпхузыфIэгъэщIыну пщыхьэщхьэхэм языхэзым. Сыхьэт пщыкIузыр екIуэкIыу унэм сыкIуэжырт, нэхъ зэман бзаджэ къыпхуэгупсысынкъым жысIэу сегупсысу. IэпкълъэпкъкIи зыхэсщIэрт ар. Махуэ псом уэшх къешхат. Ар егъэлеяуэ уэшх щIыIэт икIи фагъуэт, уеблэмэ апхуэдизкIэ уэшх бзаджафэт, цIыхухэм фIы игу зэрахуимылъыр IупщIуи, зэуэ, сыхьэт пщыкIузыр екIуэкIыу, увыIэжащ. ИтIанэ дунейр псыIэ бзаджэ хъуащ, уэшхымрэ щIыIэмрэ нэхърэ нэхъ шынагъуэжу. Псоми зы бахъэ гуэр къащхьэщихырт, уэрамым телъ мывэ къэс, къэгъэшыпIэхэм куууэ удэплъэурэ укърикIуэмэ. Абдежым сигу къэкIащ асыхьэтым уэздыгъэр ункIыфIамэ, гум нэхъ зигъэпсэхунут жысIэри, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нэхум гур егъэгъу, а псор къегъэнэхури. А махуэм икIи сымышха пэлъытэт, пшапэ зэрызэхэуэри инженер гуэрым и деж сыщIэсат и ныбжьэгъуитIым саригъусэу. Сэ сыщымт, сыкъаужэгъуауэ къысфIэщIырт. Езыхэр гуащIэу зыгуэрым тепсэлъыхьхэурэ къызэщIэплъахэт. ИтIани зыри къафIэIуэхутэкъым, ар слъагъурт, ауэ сытми къызэщIэплъауэ арат. Арати, ар зэуэ ябгъэдызолъхьэ: «Зиусхьэнхэ, фэ зыри къыффIэIуэхукъым, пэжкъэ?» — жызоIэ. Абыхэм загъэгусакъым, псори къысщыдыхьэшхащ. Ныкъуакъуэ лъэпкъ хэмыту, сэри зыри къызэрысфIэмыIуэхур нэрылъагъуу яжесIати аращ. Сэ зыри къызэрысфIэмыIуэхур къалъагъури, нэжэгужэ къэхъуахэщ. ЩIыбым уэздыгъэ нэхум сыщыщегупсысым, уафэм сыдэплъеят. Уафэр кIыфI дыдэт, ауэ пшэ зэкIэщIэкIахэр плъагъурт, я зэхуакум щIэ зимыIэ IэпапIэ фIыцIэхэр дэту. Зэуэ IэпапIэхэм я зым вагъуэ цIыкIу хэслъагъукIри, абы си нэр тезубыдащ. ЩIытезубыдар а жэщым зызукIыжыну сигу ислъхьати аращ. Ар мазитI и пэкIи сукъуэдият, сыт хуэдиз симытхьэмыщкIагъми, кIэрахъуэ бэлыхь къэсщэхури, а махуэ дыдэм шэи ислъхьат. Ауэ мазитI дэкIа пэтми, кIэрахъуэр къыдэгъэжым дэлът. АпхуэдизкIэ зыри къысфIэIуэхутэкъыми, нэхъ къысфIэIуэхуу щыхъун дакъикъэ сещакIуэрт. СщIэртэкъым апхуэдэу щIыщытри. А мазитIым и кIуэцIкIэ жэщ къэс си мурадт сызэрынэсыжу зызукIыжыну. Сыпэплъэрт дакъикъэм. Арати, вагъуэ цIыкIум иджы сигу къигъэкIат ар къыщыхъунур Iэмал имыIэу а жэщ дыдэрауэ. Арати, уафэм сеплъ пэтрэ, а хъыджэбз цIыкIум си Iэблэр иубыдащ. Уэрамыр нэщI хъуакIэт, тетыжIатэкъым. Гузехуэр гублащхьэм дэсу жыжьэу щыщхьэукъуэрт. Хъыджэбз цIыкIур илъэсий хуэдиз хъуми арат, IэлъэщI цIыкIу телърэ бэлъто цIыкIу закъуэ фIэкIа щымыгъыу, зэрыщыту псыф хъуауэ. Сэ сигу къинэжар и вакъэ псыфитI зэфIэтхъахэм я закъуэщ. Иджыри сощIэж. Ахэр ямылейуэ си нэм къыщIидзат. Хъыджэбз цIыкIур гъыртэкъым, зыгуэру къыхэкIиикI хуэдэурэ псалъэхэр къыжьэдэкIырт, щIыIэм ису зэрыкIэзызым щхьэкIэ тэмэму къыхуэмыпсэлъу. Ар зыгуэрым игъэгужьеяуэ: «Си мамэ! Си мамэ!» — жиIэурэ гур хигъэщIу кIийрт. Си нэкIур хуэзгъазэри, зы псалъи жызмыIэу гъуэгум пысщащ. АрщхьэкIэ езы цIыкIур ныскIэлъыжэурэ си Iэщхьэм къекъурт, и макъми сабийр зэрыгужьеяр къозыгъащIэ гуэр щIэтт. СоцIыху а макъыр. Псалъэхэр нимыгъэс пэтми, къызгурыIуащ и анэр и псэ хэкIыу зыщIыпIэ зэрыщылъыр е зыгуэр къазэрыщыщIар. Езыр дэIэпыкъуэгъу къилъыхъуэу къыщIэжауэ арат. АрщхьэкIэ сэ сыкIуакъым абы и гъусэу, уеблэмэ Iусхужыну сигу къэкIащ. Япэ щIыкIэ полицэр къигъуэтыну жесIащ. Езы цIыкIур къызбгъурыту нажэрт зэщыджэурэ, бауэкIэщI хъуауэ. Мис абдежым сытепкIэри сытекIиящ. Езым: «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» — фIэкIа къыжьэдэмыкIыу, сэ сыкъигъанэ-ри гъуэгум зэпрыжащ, абыкIэ нэгъуэщI зы гъуэгурыкIуэ блэкIырт, си пIэкIэ абы елъэIуну ара къыщIэкIынт. Платон Сократ зеухеиж Къуаншэу къалъыта нэужь Пычыгъуэ Сызыгъэкъуаншэхэр афиндэс махуэхэм къызэрыфщыхъуар сщIэркъым, ауэ сэ сыкъапщтэмэ, абыхэм жаIэм седаIуэурэ си цIэр сщыгъупщэж пэтащ, апхуэдизкIэ хэкъузауэ псалъэхэрти. ИтIани, жыпIэпэмэ, пэж лъэпкъ къажьэдэкIакъым абыхэм. Ауэ сыт хуэдизыпцI ямыупсами, псом нэхърэ нэхъ сыкъэзыгъэуIэбжьар жьакIуэу сызэрыпсалъэмкIэ фызгъэбэлэрыгъыным фызэрыхуагъэсакъырщ. ЕкIуу сызэрымыпсэлъэфыр наIуэ къызэрыхъуу, къызэрыщIэщынухэм зэрыримыгузавэр нэхъ емыкIуу къысщыхъуащ, кIуэ, пэж жызыIэр дахэу псалъэу къамылъытэмэ. Апхуэдэу егупсысхэмэ, сраакъылэгъущ. Абыхэм, къытызогъазэри, зы псалъи пэжу жаIакъым, сэ-тIэ ар къэт щымыIэу фи пащхьэ нислъхьэнщ. Ауэ, ЗевскIэ соIуэ, афиндэсхэ, псалъэ хэIэтыкIакIэ гъэщIэрэщIа мы цIыхухэм я псэлъэкIэ щхъуэкIэплъыкIэм хуэдэкъым зэхэфхынур, япэу къыпIэрыхьэ псалъэхэм къыхэщIыкIа псэлъэкIэ къызэрыгуэкIщ. Сыту жыпIэмэ, сэ сощIэ жысIэнур зэрыпэжыр, нэгъуэщI зыгуэр зыхэфхынуи фыщымыгугъ. Си ныбжьми къекIужкъым, лIы махуэхэ, щIалэхэм ещхьу псалъэ зэхэлъхьакIэ фи пащхьэ сыкъихьэну. Аращи, афиндэсхэ, сыныволъэIу си щхьэ сыкъызэрыщхьэщыж псалъэхэр бэзэр утыкуми нэгъуэщIыпIэхэми сызэрыщыпсалъэу зэхэфхам ещхьу къыщIэкIмэ, фымыгъэщIагъуэ ар икIи фымыIэуэлъауэ абы щхьэкIэ. Iуэхур зэрыщытращ: илъэс 70 сыхъуу япэ дыдэу судым сыкъэкIуащи, мыбы щызекIуэ псэлъэкIэр тIэкIу хамэу къыщIэкIащ си дежкIэ. Сыхэхэсмэ, сызэрыцIыкIурэ сызэса псэлъэкIэмрэ бзэмрэ сытетмэ къызэрысхуэвгъэгъуным хуэдэ дыдэу, захуагъэм фытету пэжыр сэ езым си хабзэкIэ, ар фIыуи Iейуи щрырет, жызвгъэIэну сыныволъэIу, жысIэр пэжрэ пцIырэ фIэкIа, нэгъуэщIым фемыплъу. Аракъэ хеящIэм и къалэнри. Утыкум итым и къалэнращи — пэжыр жиIэнырщ. Захуэу къысфIощI, афиндэс махуэхэ, япэ щIыкIэ нэхъ пасэу къыстралъхьа къуаншагъэр зытесхыжрэ итIанэ иужьрей къуаншагъэхэмрэ сызыгъэкъуаншэхэмрэ захуэзухеижмэ. Мыбы и пэкIи куэдым сагъэкъуаншэрт сэ, арщхьэкIэ пэж лъэпкъ жаIакъым абыхэми. Абыхэм нэхъ сагъэгузавэ Анитрэ и ныбжьэгъухэмрэ нэхърэ. Мыхэри шынагъуэщ, лIы махуэхэ, ауэ ахэр нэхъ шынагъуэжщ! Фызэрысабий лъандэрэ фигу къысщагъэкI абыхэм, модэ Сократ жаIэри лIы Iущ гуэр щыIэщ уафэми щIылъэми щыIэр зэIипщIыкIрэ пцIыр пэжу къыщIригъэдзу жаIэри. А хъыбарыпцIыр зыгъэIуахэращ, афиндэс махуэхэ, сэ пцIым я нэхъ Iейр къыстезылъхьэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм къедаIуэхэм къафIощI апхуэдэ къэхутэныгъэ езыгъэкIуэкIым тхьэхэр къримыдзэу. КъищынэмыщIауэ, ахэр куэд мэхъу, сызэрагъэкъуаншэри куэд щIащ. Фэ ахэр къыщывэпсалъэ ныбжьым фысабийти, жаIэр занщIэу фи фIэщ хъурт. Иныкъуэхэри щIалэщIэт. Сытми, нэщIыбагъкIэт сызэрагъэкъуаншэр, мысэр мыщыхьэту. Псом нэхъейращи, я цIи я щхьи къыпхуиIуэнукъым абыхэм, кIуэ, комедиехэр зэхэзылъхьахэм я гугъу умыщIмэ. Фыгъуэм, бзаджагъэм, е езыхэм ягу къызэрысщагъэкIам къыхэкIыу, фигу къысщызыгъэкIыжахэм я пащхьэ зыщыбухеижыныр нэхъ гугъужщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр мыбдежи къыпхуэшэнукъым, жаIари зэрыпцIыр къыпхущIэгъэщынукъым. Ныбжьхэм уезауэ, къыппэмыпсалъэм уедауэ хуэдэщ. Аращи, акъылэгъу фыкъыздэхъу сызыгъэкъуаншэхэр лIэужьыгъуитI зэрыхъумкIэ: зы гупым иджыпсту сагъэкъуаншэ, адрейхэм — куэд щIауэ, зи гугъу сщIа къудейхэр. Арэзы фыкъыздэхъу япэ щIыкIэ куэд щIауэ сызыгъэкъуаншэхэм я пащхьэ зыщызухеижын зэрыхуейр, абыхэм нэхъ пасэу щIадзащ икIи иджырейхэм нэхърэ нэхъыбэ къыстралъхьащи. Хъарзынэщ. НтIэ, афиндэс махуэхэ, зыухеижыпхъэщ икIи куэд щIауэ къыстефлъхьэ пцIыр зэман кIэщIкIэ къыщIэгъэщыпхъэщ. Дауи, нэхъ къэсщтэнт си зыухеижыкIэр къызэхъулIэну, ар фи дежкIи си дежкIи нэхъыфIу щытмэ. Ауэ гугъу хъуну къысфIощI ар, мы Iуэхури зэрымытыншыр сымыщIэу щыткъым. А лъэныкъуэр Тхьэм зэрыжиIауэ ирехъу, хабзэр гъэзэщIапхъэщ, зыухеижауэ. КъэдвгъэщIэжыт си цIэр IейкIэ зыгъэIуа Мелет тегъэщIапIэ ищIу щIэтхьэусыха къуаншагъэр. Хъарзынэщ. Сыт хуэдэ псалъэхэмкIэ пцIы къызэрыстралъхьар къыстезылъхьахэм? Абыхэм я щыхьэт псалъэхэр къэхьын хуейщ, зыгъэмысэ дыдэхэм зэращIым хуэдэу: Сократ хабзэм йобакъуэ, уафэмрэ щIылъэмрэ щызекIуэр зэхигъэкIыурэ пцIыр пэжу къыщIригъэдзу, адрейхэри абы ирегъасэ. Мис апхуэдэ гуэрщ а къуаншагъэр. Фэри флъэгъуащ Сократ гуэр хэту Аристофан игъэува комедиер: ар хьэуам къыщызокIухь жеIэри матэм исщ, къызгурыIуэну Iэмал зыхуэзмыгъуэта гуэрхэр къебжри. Мыр щIыжысIэр а лэжьыгъэм зыгуэр дэзгъуэу хьэмэрэ абы ехъулIэныгъэ щызиIэхэр згъэпуду аракъым. Ар гуэрымкIи симыгъэкъуэншарэт Мелет. ИтIани, афиндэс махуэхэ, сэ а псом зыри хузиIуэхукъым. Щыхьэту фэр дыдэхэр фыкъызогъэув, езыр-езыру зэхрырагъэкIыж ар сэ жысIэ хабзэхэр зэхэзыхахэм. Апхуэдэ куэд фхэтщ фэ. Зыр адрейм феупщIыж а къыспатхэ Iуэхухэм сытепсэлъыхьарэ сытемыпсэлъыхьарэ, итIанэ къывгурыIуэнущ адрей къыстралъхьэхэри пэжрэ мыпэжрэ. А къомым ищIыIужкIэ гъэсэн къасщтэрэ абыкIэ ахъшэ къэзлэжьу зэхэфхамэ, ари пэжкъым, ар IуэхуфIу къэслъытэу щытми. Псалъэм папщIэ, зыгуэрым Леонтием щыщ Горгий, Кеос щыщ Продик, е Элидэ щыщ Гиппий хуэдэу цIыху хуэгъасэмэ. Абыхэм, лIы махуэхэ, къалэхэр къызэхакIухьурэ щIалэхэр къытрагъэхьэ, я гъэсакIуэхэр къагъанэу, езыхэм я деж пщIэкIэ зыщагъэсэну къеувэлIэну, фIыщIи хуащIу. Иджыри, зэрызэхэсхамкIэ, мыбы зы лIы еджагъэшхуэ щопсэу Парос щыщу. Гъуэгум зыгуэрым сыщыхуэзащ софистхэм псоми зэхэту иратам нэхърэ нэхъыбэ ахъшэ абы иритауэ — Гиппоник и къуэ Каллий. КъуитI иIэщ абы. ЖызоIэ: «Каллий! Уи щIалэхэр шыщIэу е шкIэуэ къалъхуамэ, абыхэм къыдалъхуар езыгъэфIэкIуэн гъэсакIуэ къахуэдмыщтэу хъунтэкъым, шыхъуэу е мэкъумэшыщIэу. Ауэ ахэр щыцIыхукIэ, хэт къахуэпщтэну уи гугъэр ахэр бгъэсэн папщIэ? Хэт апхуэдэпщIэ зиIэр, цIыхугъэмрэ цIыху хэтыкIэмрэ зэрыхищIыкIыр наIуэу? Абы уегупсыса къыщIэкIынщ къуэ бгъуэта и ужькIэ? ЩыIэ апхуэдэ хьэмэрэ щымыIэ жызоIэри соупщI. «Ахьей, щыIэ», — жи. «Хэт хъуну?» — соупщI. «Эвен, — жи, — Парос щыщу, Сократ, минэу тху пIех». Арати, фIыщIэ хуэсщIащ а Эвеным, апхуэдэ Iэзагъ зэриIэмрэ пуду зэрыригъаджэмрэ пэжмэ. Сэри зызгъэщIэгъуэнт икIи зызгъэпэгэнт апхуэдэ Iэзагъ сиIамэ. АрщхьэкIэ сиIэкъым, афиндэс махуэхэ! Фщыщ гуэрым жиIэнкIи хъунщ: «Сыт Iуэху-тIэ уэ зепхуэр, Сократ? Сыт апхуэдизыпцI къыщIыптралъхьэр? Зыми ямыщIэ гуэр умыщIамэ, апхуэдизрэ къыптепсэлъыхьынтэкъым. КъыджеIэ зи Iуэху зепхуэр, нэгъуэщI къэдмыгупсысын папщIэ». Мис ар захуагъэу къызолъытэри, сэри зэрысхузэфIэкIкIэ къывгурызгъэIуэну сыхэтынщ цIэрыIуэ сызыщIари пцIы къыстралъхьэн хуей щIэхъуари. ФыкъэдаIуэ-тIэ. Зыгуэрым сыгушыIэу къыщыхъуу щытми, шэч къытевмыхьэ жысIэр зэрыпэж дыдэм. ЦIэрыIуэ сыщIэхъуар, афиндэс махуэхэ, къызыхэкIар Iущагъ гуэрщ, нэгъуэщIкъым. ЦIыху Iущагъ къыщIэкIынщ ар. Апхуэдэ Iущагъ сэ, пэжыр жыпIэмэ, збгъэдэлъщ. Ауэ иджыпсту зи гугъу сщIахэм цIыху акъылым къимыубыд Iущагъщ ябгъэдэлъыр, зэрыжысIэну гущэри сщIэркъым. Рильке Райнер Марие УсакIуэ щIалэм деж Пычыгъуэ … Си усэхэр хъуа жыбоIэри укъызоупщI. УпщIэр зыхуэгъэзар сэращ. Япэм нэгъуэщIхэм уеупщIырт. Уэ ахэр журналхэм ибогъэхь. Адрейхэм я усэхэм ибогъапщэри, уи жагъуэ мэхъу языныкъуэ редакцэхэм уи IэдакъэщIэкIхэр къызэрырагъэхьыжыр. Аращи, чэнджэщ уэстыну хуит сыщыпщIакIэ, сынолъэIу мы Iуэхур къэбгъэнэну. Уэ къыбдалъагъун ехъулIэныгъэ къыболъыхъуэ, ар иджыпсту нэхъ узыхуэмей дыдэращ. Зыри къыбдэIэпыкъуфынукъым, чэнджэщи къуитыфынукъым. Зыри. Зы Iэмал закъуэщ щыIэр: уи гум иплъэ. Тхэным уезыхулIэ щхьэусыгъуэр зэхэгъэкI. Уи гум и щэхупIэм къыщежьэрэ а къарур? Зызыхуэумысыж: утхэ мыхъуну къыщIэкIамэ, уилIыкIынут абы? Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, жэщ сыхьэтхэм я нэхъ щэхум зэупщIыж: сытхэн хуейуэ пIэрэ сэ? Жэуап пэж къыщыгъуэт уи гум. «НтIэ, сэ сытхэн хуейщ», — жыпIэмэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ а упщIэм апхуэдэ жэуап ептыну ухуитмэ, абы къуит Iэмалыншагъэм къыхэкIыу уи гъащIэр щIэрыщIэу къыщIэбдзэжын хуейщ. Уи гъащIэр, абы щыщ дакъикъэ нэхъ къыпфIэмыIуэху дыдэхэри хэту, а тегушхуэныгъэм и дамыгъэ лъапIэ хъун хуейщ. ИтIанэ дунейм бгъэдэкIуатэ. Япэу щIым къытехьа цIыхум ещхьу, плъагъумрэ зыхэпщIэмрэ, пфIэфIымрэ упсэуху зыбгъэдумыгъэхьэнумрэ пхужыIэмэ еплъ. Лъагъуныгъэм теухуа усэ умытх: ипэм деж куэд щIауэ къэгъуэгурыкIуэ, хэти ицIыху жыпхъэхэм защыдзей. Ар псом нэхърэ нэхъ гугъущ: гъэунэхугъуэ куу ухуейщ, фIы, телъыджэ куэд здэщыIэ лъэныкъуэм зыгуэр щIэуэ хэплъхьэфын щхьэкIэ. Яужэгъужам укъригъэлыну уи махуэкъэс гъащIэр уиIэщ. Тетхыхь уигу хэзыгъэщIым, уи хъуэпсапIэхэм, блэкI пэтрэ узыубыда гупсысэм, дахагъэ гуэр уи фIэщ зэрыхъум. Щэхуу, Iэсэу, куууэ, уи фIэщу тхэ. Уи гум илъыр къэIуэта хъун папщIэ, укъэзыухъуреихьхэм, пщIыхьэпIэхэм, гукъэкIыжхэм яхэплъэ. Ауэ махуэ къэс уи нэгу щIэкIыр зэшыгъуэу къыпщыхъумэ, ар плъагъум и лажьэу умыбж. Уи щхьэ гъэкъуэншэж уи махуэхэр къулей пхуэщIын хуэдэу, усакIуэм щыщу пхэлъыр зэрыримыкъумкIэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дахагъэ къэгъэщIыным телажьэ цIыхум и дежкIэ гъащIэ зэшыгъуи щIыпIэ фаджи щыIэкъым. Хьэпсым уису сощIри, абы щыгъуэми уи сабиигъуэр, а гукъэкIыжхэм я мылъку гъэтIылъыпIэ щIэншэр къыпхуэнэнутэкъэ? Яхэплъэ абыхэм гупсысэр уи Iэпэгъуу. А зэман кIыхьым щыщу пщыгъупщэжахэм псэ къахэгъэхьэжи зыпцIыхужынущ, уи закъуэныгъэри цIыхухэм я Iэуэлъауэр бгъэдэмыхьэу зыблэкI пшапэм хэт унэ пхуэхъунщ. Апхуэдэ щIыкIэу зыкъэбгъуэтыжа нэужь, усэ стхарэт жыпIэмэ, уигу къэкIыххэнукъым а усэхэр хъуарэ мыхъуарэ зыгуэрым уеупщIыну. АфIэкIа ухуеижынукъым уи лэжьыгъэхэмкIэ журналхэр къыдэпхьэхыну: ахэр уи лъым хэпщIауэ, уи гъащIэ налъэу, уи макъыу къыпщыхъужынущ. IэдакъэщIэкIыр фIы щIыхъур абы гукIэ ухуэныкъуэу щыптхым и дежщ. Апхуэдэ къэгъэщIыкIэ хьэлэмэтым езым къретыж тхыгъэм къылъыс увыпIэр, нэгъуэщI зэхэгъэкIыпIи щыIэкъым. Аращ, зиусхьэн лъапIэ Каппус, зы чэнджэщ закъуэ фIэкIа щIозмытыфынур: уи гум иплъэ, зэгъэцIыху уи гъащIэ псынэр къызыщIэж кууупIэр. А къыщIэжыпIэм жэуап къуитынущ: утхэн хуей? КъыщIэкIынкIи хъунщ дахагъэ зэхэлъхьэным укъыхуигъэщIауэ. Арамэ, къащтэ а хьэлъэри хьы, зыми абы къыпэкIуэну саугъэт нэрылъагъумкIэ уемыупщIу. Зыгуэр зэхэзылъхьэм и псэр мамыру щытын хуейщ: е езыр зыхурикъужу, е къэхъугъэм зэрекIум къыхэкIыу. Ауэ, уи закъуэныгъэм зыхуэбгъазэу, апхуэдэу куууэ узыпхрыплъыжа нэужь, усакIуэ ухъун мурадым ухущIегъуэжынри хэлъщ: зэрыжысIащи, умытхэу упсэуфыну къыпфIэщI закъуэмэ, усакIуэ ухъуххэнукъым. ИтIани уи гум зэрызыхуэбгъэзар лей хъунукъым. А зэманым щегъэжьауэ уи гъащIэм Iэмал имыIэу гъуэгу хэплъыхьахэмкIэ зиунэтIынущ икIи сэ сынохъуэхъу а гъуэгухэр дахэу, хьэлэлу, насыпыфIэу, жыжьэ нэсу къыщIэкIыну, жысIэфынум нэхърэ нэхъыбэкIэ сынохъуэхъу… Гуми псэми къыбгъэдэкIыу Райнер Марие Рильке
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26386.txt" }
Зыужьыныгъэм и гъуэкIэ Илъэс 56-рэ и пэкIэ ди къуэш балъкъэрхэм ялъэIэса хъыбарыр абыхэм ящыщ дэтхэнэ зым и дежкIи лъапIэт — ахэр хуит хъужат хэкум къагъэзэжыну. Зыуэ щыт Къэбэрдей-Балъкъэрым гуачу лажьэншэу зэхэзехуэн ящIауэ щыта лъэпкъым и тхыдэр гуауэщ, хьэзабкIэ гъэн- щIащ. ИкъукIэ залымыгъэшхуэт илъэс 69-кIэ узэIэбэкIыжмэ балъкъэрхэм кIэлъызэрахьар. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм, бийр хагъащIэу хуежьа къудейуэ, Совет Союзым щыпсэу лъэпкъхэм ящыщ зыбжанэ хамэ щIыпIэхэм ягъэIэпхъуащ. Абыхэм яхэхуат балъкъэрхэри — 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м дашри, Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ ирагъэтIысхьащ. Нэхъыбэу хамэ щIыналъэм къыщыхутар зи ныбжь хэкIуэтахэрщ, цIыхубзхэрщ, сабийхэрщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а зэманым балъкъэр щIалэхэр фронтым Iутт, щхьэмыгъазэу фашист зэрыпхъуакIуэхэм езауэу. 1944 — 1945 гъэхэм къриубыдэу ирагъэкIахэм я нэхъыбэр гъаблэм, щIыIэм, залымыгъэм икIуэдыкIащ… Сталиныр дунейм ехыжа нэужь, къэралым и политикэм зихъуэжащ. КПСС-м и XX съездым абы и щIэпхъаджагъэхэр щызэпкърахащ икIи я щIыналъэхэм ирагъэкIа лъэпкъхэм я Iуэхур къыщаIэтащ. хамэ щIыпIэхэм ягъэIэпхъуауэ щыта лъэпкъхэм ящыщ унагъуэ щхьэхуэхэм щалъхуа щIыпIэхэм ягъэзэжыну хуит ящIащ Совет правительствэм 1956 гъэм гъатхэпэм и 13-м къыдигъэкIа унафэмкIэ. А илъэс дыдэм щэкIуэгъуэм и 24-м КПСС-м и ЦК-м къищтащ «Къалмыкъ, къэрэшей, балъкъэр, шэшэн, ингуш лъэпкъхэм я лъэпкъ автономиер къызэгъэпэщыжыным и IуэхукIэ» унафэр. 1957 гъэм щIышылэм и 9-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыдигъэкIащ «Къэбэрдей АССР-р Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-у зэхъуэкIыжыным и IуэхукIэ» указыр. А гъэм мазаем и 11-м указым къару игъуэтащ икIи, зэраубзыхуам тету, балъкъэрхэм я хэкум къагъэзэжу щIадзащ. 1957 гъэм гъатхэпэм и 28-м Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и сессие. Псом япэу ар зытеухуар балъкъэр лъэпкъым и автономиемрэ и къэралыгъуэмрэ зэфIэгъэувэжынырт. Сессием и утыкум къихьа псоми къыхагъэщащ балъкъэрхэм къызэрагъэзэжым республикэм ис лъэпкъ псори зэрыщыгуфIыкIыр, ахэр я пIэ изэгъэжынымкIэ, лэжьапIэ ягъуэтынымкIэ ядэIэпыкъун зэрыхуейр. Сессием къыщащтащ «Къэбэрдей АССР-р Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-у зэхъуэкIыжыным и IуэхукIэ» законыр. А щIыкIэм тету, балъкъэрхэм я къэралыгъуэ ягъуэтыжащ, парт, совет органхэм щылэжьэну балъкъэрхэм хуитыныгъэ яIэ хъужащ. Бэлыхь зытелъа лъэпкъым зыщIэгъэкъуэн, щIалэгъуалэр егъэджэн хуейт, сыту жыпIэмэ, блэкIа илъэс 13-м къриубыдэу абы и щIэныгъэм, гъуазджэм, щэнхабзэм хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтат. Властым и республикэ органхэр балъкъэрхэм къапэщылъ гугъуехьхэр дэгъэкIыным зэпымыууэ елэжьырт. 80 гъэхэм я етIуанэ Iыхьэм къэралым къыщащтэу щIадзащ лей зыкIэлъызэрахьауэ щыта лъэпкъхэм я хуитыныгъэхэр нэсу къызэгъэпэщыным теухуа унафэхэр. Урысей Федерацэм и Совет Нэхъыщхьэм 1991 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м къыдигъэкIащ «Лей зыкIэлъызэрахьа лъэпкъхэр зыкIи зэрымыкъуэншам щыхьэт техъуэным и IуэхукIэ» законыр. А дэфтэрхэм я фIыгъэкIэ балъкъэрхэм я гур къызэрыгъуэтыжащ, къэралым и адрей лъэпкъхэм зэрахуэдэр къащIащ икIи демократиемрэ ефIэкIуэныгъэмрэ я гъуэгум тету япэкIэ нэхъри щIэгъэхуэбжьауэ кIуатэу щIадзащ. Балъкъэрхэм яхуэфэщэн увыпIэ щаубыдыжащ ди хэкум щыпсэу зэкъуэш лъэпкъхэм я унагъуэм. Къызэрагъэзэжу ди къуэшхэр жыджэру хыхьэжащ республикэм щекIуэкI политикэ, жылагъуэ, щэнхабзэ гъащIэм. 1959 гъэм и гъатхэпэм КъБАССР-м и щIыпIэ советхэм балъкъэр 513-рэ, Совет Нэхъыщхьэм и депутату а лъэпкъым и лIыкIуэ 15 хахауэ щытащ. Къэралми езы балъкъэрхэми гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIыр лъэпкъ щэнгъасэмрэ гъуазджэмрэ я зыужьыныгъэрат. 1957 гъэм и щэкIуэгъуэм республикэ драмэ театрым и балъкъэр гупыр зэхуашэсыжат актер 21-рэ хъууэ. Москва Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэм 1958 гъэм ныбжьыщIэ 15 ягъэкIуат, Ленинград и консерваторэми еджакIуэ зыбжанэ щIагъэтIысхьат. Макъамэ гъуазджэм зегъэужьын и лъэныкъуэкIи зэфIэувэжырт лъэпкъым и Iуэхур. Балъкъэрхэм ящыщ япэ композиторхэу Байчекуев Абидин, Жеттеев Мустафир сымэ я IэдакъэщIэкIхэр 60 гъэхэм цIыхухэм зэхахащ. 1957 гъэм и щIышылэм къыщыщIэдзауэ балъкъэрыбзэкIэ «Коммунизмге жол» газетыр къыдагъэкIыу щIадзэжащ. Республикэ газетхэм, журналхэм къытрадзэрт балъкъэр тхакIуэ пажэхэм я IэдакъэщIэкIхэр… Иджы гъатхэпэм и 28-м республикэм и жылагъуэ псоми цIыхухэр щызэхохьэ, илъэс 13-кIэ хэкум пэIэщIэу щыта ди къуэшхэм я нэгу щIэкIахэр, ягъэвахэр ягу къагъэкIыж. Абыхэм я псэм бэлыхьу телъар IупщIу къыхощыж усакIуэшхуэ Мечиев Кязим и сатыриплIым: СогъукIэ, гъущIым си губампIэр Тескъутэу, къызожэх пщIэнтIэпс. ЛъэIэскъым си Iэр си гугъапIэм — ЦIыхубэм гъущыркъым я нэпс. Нобэ балъкъэрхэм зыхуей псори ягъуэт, я цIэр къэралыгъуэм къыхощ, я щэнхабзэм зеужь. Мы зэманым ди республикэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щолажьэ балъкъэрхэм къахэкIа академикхэу, щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я профессорхэу, докторхэу, кандидатхэу 200-м щIигъу. А зы щапхъэр щыхьэт тохъуэ лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм гулъытэшхуэ зэригъуэтым. НэщIэпыджэ Замирэ. Нэхъыжьым и псалъэ Зэи сщыгъупщэнукъым Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ яку дэлъа, иджыри дэлъ зэхущытыкIэм, а лъэпкъым къыщыщIа мыгъуагъэм адыгэхэри игъэпIейтеяуэ зэрыщытар, нэгъуэщI хъыбар куэди къеIуэтэж УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ди нэхъыжьыфI Ефэнды Джылахъстэн. Аушыджэр (Дыгъужьыкъуей) къыщалъхуа щIалэр школым кIуэн зэрыщIидзэу, еджэным нэхъуеиншэу дихьэхащ икIи къиуха нэужь, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтри, лэжьэн иригъэжьащ. Зи адыгэбзэри урысыбзэри шэрыуэ, Iуэхум хуэмыщхьэх, зэфIэкI хъарзынэхэр къэзыгъэлъагъуэ щIалэщIэр 1950 гъэм ВЛКСМ-м и комитет нэхъыщхьэм ираджэри, инструктору ягъэувауэ щытащ. Куэдрэ мылэжьауэ, ар и къулыкъукIэ драгъэкIуэтеящ. Иджы ар Къэзахъстанымрэ Азие Курытым и щIыналъэхэмрэ я комсомол организацэхэмкIэ секторым и Iэтащхьэт. Мис абы щыгъуэм Джылахъстэн яхуэзауэ щытащ Къыргъызым яшауэ щыпсэу ди лъахэгъухэм. Абдеж абы щызыхищIащ хэкум пэIэщIэу псэу лъэпкъым и фэм дэкIымрэ и псэм телъ хьэзабымрэ. Адэжь лъахэм къикIа адыгэ щIалэм балъкъэрхэр гуапэу къыIущIат, я хэку щыхъыбархэр жрагъэIэжырт, езыми и къуэш лъэпкъым игу къызэрызыгъэгъуэтыжа псалъэхэр, иужькIэ гъащIэм къыщыхъуахэр яжриIауэ щытащ. Ахэр иджы мыпхуэдэу игу къегъэкIыж Ефэнды Джылахъстэн: «Москва сраджэу ВЛКСМ-м и комитет нэхъыщхьэм лэжьэн зэрыщыщIэздзэрэ куэд мыщIауэ, Къэзахъстанымрэ Азие Курытым и щIыналъэхэмрэ я комсомол организацэхэмкIэ секторым и Iэтащхьэу сагъэуват. ЩIыналъэ ин дыдэ къыслъысат, абы щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм, экономикэм, щэнхабзэм щыгъуазэ зысщIын хуейт. ЩIалэгъуалэ Iуэхухэр щызесхуэн хуейт километр зэбгъузэнатIэ мелуани 4-м нэс лъахэм. Комсомол лэжьыгъэм теухуа хъыбар зыбжанэ къыщысщIащ ВЛКСМ-м и ЦК-м и лэжьакIуэхэу ипэIуэкIэ а щIыналъэхэм япыщIауэ щытахэм я деж. Хабзэ зэрытхуэхъуам дытету, дэ дежьэрт цIыхуи 4 — 5 дыхъуу. Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр зэфIэдгъэкIырт икIи махуэ 40 — 45-рэ хуэдизкIэ дыкъэтырт. Щыгъуазэ зыхуэтщIын хуейт щIыпIэ комсомол зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэм, абыхэм зэрытхузэфIэкIкIэ дадэIэпыкъурт. Тлъэгъуахэр къызэрытщыхъуар яхуэсIуатэрт республикэхэм я компартхэм я ЦК-хэм я япэ секретархэм. Апхуэдэ зэIущIэхэм ящыщ зым Къыргъызым и парт унафэщI Радзаков Исхьэкъ щыжесIащ Чуй аузым и жэгундэ хьэсэхэмрэ республикэм и къалащхьэмрэ си лъахэгъу балъкъэрхэм сазэрыщыIущIам хуабжьу сызэригъэпIейтеяр. КъызэрызгурыIуамкIэ, къыргъыз лъэпкъыр къыхуэгуапэт ди лъахэм ирашахэм. — Арыншауэ хъункIэ зы Iэмали иIакъым. Япэ щIыкIэ балъкъэрхэм хьэзаб куэд ягъэващ. Иджы ахэр зыхуей хуозэ. Езы балъкъэрхэр хуабжьу гуащIафIэ цIыхухэщ. Дэ дяпэкIи гулъытэ яхуэтщIынущ абыхэм я псэукIэр ефIэкIуэным, — жэуап къызитыжащ Радзаковым. Сигу къокIыж Фрунзе къалэм пщыхьэщхьэхуэкIуэу сынэсауэ зэрыщытар. ХьэщIэщым сыщIэтIысхьэри, аэропортым къыщысIущIа си ныбжьэгъухэм селъэIуащ балъкъэрхэр нэхъ Iуву щызэхэс куейм сашэну. Абыхэм «хьэуэ» къыхагъэкIакъым. Пщэдджыжьым дызэхуэзэри, фошыгъу жэгундэ нэхъ бэв дыдэ къыщагъэкI Чуй аузым дыкIуащ. Кант куейм и колхоз нэхъ инхэм ящыщым дынэсащ. Шэджагъуашхэм дрихьэлIати, дакъикъи 2 — 3-кIэ дыпэплъэри, Къыргъызым и комсомолым и ЦК-м и япэ секретарь Барбиевымрэ сэрэ «Побе-да»-м дыкъикIащ икIи жэгундэгъэкIхэм дахыхьащ. Барбиевым и макъ шэщIамкIэ абыхэм яжриIащ: «Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Москва къикIри фэ къыфхуэкIуащ фи лъахэгъу, адыгэ Ефэнды Константин, ар мэлажьэ ВЛКСМ-м и ЦК-м и секторым и унафэщIу». А псалъэхэр зэрызэхахыу бригадэ псом сыкъаухъуреихьащ. Абыхэм я нэхъыбэр цIыхубзт, сыту жыпIэмэ, цIыхухъухэр фронтым щыIут лъэхъэнэм ирихьэлIат ахэр щыдашар. Къызбгъэдыхьэурэ цIыхубзхэм IэплIэ къысхуащIырт, цIыхухъухэм си Iэхэр къакъузырт. Псори гъырти, сэри си нэпс къысфIыщIэкIауэ щытащ. Сыкъэпсэлъэн хуей щыхъум жысIащ: «Си лъахэгъу лъапIэхэ, си къуэшхэ, си шыпхъухэ! Фэ фхуэдэу сэри фи лъахэ гъуэзэджэм фыщашэжыну махуэм сыпоплъэ. Си фIэщ мэхъу ар зэрымыжыжьэжыр!». СиIэ Iэмалхэр къэзгъэсэбэпри, си Iыхьлы балъкъэрхэр къэслъыхъуэу щIэздзащ. Псом япэу къэзгъуэтыну сызыхуеяр си ныбжьэгъухэу Ксанаев Ибрэхьимрэ Киштыков Исмэхьилрэщ, апхуэдэуи си къуэш нэхъыжь Жыраслъэн и ныбжьэгъухэу Бадиев Ахъмэтрэ Черкесов Сарбийрэщ. КъызэрысщыхъумкIэ, ахэр егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытын хуейт. Арати, Къыргъызым и ВЛКСМ-м и ЦК-м хэт, егъэджэныгъэмкIэ министр Тактогоновым къыздэIэпыкъуну селъэIуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къэсщIащ Сарбий Джелалабад область библиотекэм и унафэщIым и къуэдзэу, Ахъмэт Иссык-Куль областым и куей гуэрым и курыт школхэм ящыщ зым и унафэщIу зэрылажьэр. Абыхэм сахуэзащ. Ди зэIущIэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, хуабжьу гуапэу щытащ. Абы щыгъуэм си хэщIапIэмрэ зыкъызэрыспищIэну телефон номерымрэ къыхуэзгъэнат. Зэман зыбжанэ дэкIауэ Сарбий библиотекэ институтым экзамен щитыну къэкIуати, си деж нэпсэлъащ. Ар езгъэблагъэри, махуэ зыбжанэкIэ дызэгъусауэ, ди лъахэм сшэжу зыщезгъэплъыхьыну хузогъэлъагъуэ. Черкесовыр къэуIэбжьащ: сэ сыкъащIэмэ дауэ хъуну? И гур фIы хузощI: си тхылъыр езгъэлъагъумэ, уи Iуэху къызэрахуэнукъым. Арати, ди лъахэм дыкъэкIуэжащ, абы щыгъуэ слъэгъуар зэи сигу ихужынукъым. МафIэгум къикIа Сарбий щIым зридзыхауэ ба хуищIырт, пыхьэу. Япэ дыдэу Лъостэн Чэлимэт и деж дыкIуащ, ар сэ си Iыхьлыт, Сарбий и адэм и ныбжьэгъут. ИужькIэ къытпэплъэрт сэ си унагъуэр, Сарбий щалъхуа къуажэр, зыдаша лъапсэр… Зэманыр хэпщIыкIыу нэхъыфI хъурт. Псалъэмакъ ежьат, залымыгъэкIэ зи лъахэ ирашахэр къагъэкIуэжыну. Захуагъэр зэрызэфIэувэжынум и нэщэнэхэр нэрылъагъут. Апхуэдэуи хъуащ. 1957 гъэм Москва сыкърашыжри, партым и Налшык къалэ комитетым и етIуанэ секретару сыхахащ. Си къалэнхэм хыхьэрт хамэ щIыпIэхэм кърашыж балъкъэрхэр къезгъэблэгъэжыным и мызакъуэу, абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи защIэзгъэкъуэну. Мис апхуэдэу си къуэш лъэпкъым и гуауэм епха Iуэхухэм сыхэтауэ щытащ». Зытхыжар Шыпш Даянэщ. Къэралыгъуэшхуэм къыщацIыхуат Яныкъуей щыщ Уммаевэ Фазика я къуажэм щызэхэт колхозым жэмышу щыхыхьам апхуэдэ лъагапIэм нэсыну и гущхьэм къэкIыххэртэкъым. И мурадыр зыт — нэгъуэщIхэм къакIэрымыхуу и къалэныр дагъуэншэу игъэзэщIэнырт. Куэд дэмыкIыу унафэщIхэм гу лъатащ щIэх дыдэу гупым яхэзэгъа цIыхубз щIалэм гуащIэшхуэ зэриIэм, зэрыерыщым, IуэхущIэхэм зэрытегушхуэм икIи и жэрдэмыр даIыгъыу хуежьащ. Япэ щIыкIэ я колхозым, итIанэ Шэджэм районым абы къыщыхилъхьащ жэм къэс хуэзэу илъэсым шэ киллограмм мини 3, нэхъ иужьыIуэкIэ килограмм мини 4 къыщIэшыныр зэгъэхъулIэным теухуа зэпеуэр. Жэмыш пашэм езым и къэмылэнджэж лэжьыгъэкIэ къигъэлъэгъуащ а къалэнышхуэр я куейм зэрыщыпхуэгъэзэщIэнур. Зэпеуэм къыщихьа гуащIэдэкI ехъулIэныгъэ иным папщIэ, Фазика Ленин орденыр къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэ гулъытэм и лъэр нэхъри щIигъэкIащ, къаруущIэ къыхилъхьащ, и зэфIэкIым нэрылъагъуу хигъэхъуащ. И IэщIагъэр зыхилъхьэ щыIэтэкъым, и псалъитIым я зыр зытеухуар и лэжьыгъэрт, гъэш нэхъыбэ къатын щхьэкIэ, жэмхэр зэрызехьэн, зэрыгъэшхэн хуей щIыкIэрт. ПщIэ лей къимылъыхъуэу я къуажэм, районым я цIэфI зэригъэIуным, нэхъыщIэхэр лэжьыгъэм зэрыхигъэзэгъэным хущIэкъурт, и унагъуэри жылэр къехъуапсэу зэрихьэрт. Зы илъэси къэмынэу зэхьэзэхуэм къыхэжаныкIырт, ВДНХ-м и медаль зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуагъэфащэрт, адрей куэдми хуэдэу, республикэм и щIыхь пхъэбгъур и сурэтым игъэбжьыфIэрт. 1975 гъэр Уммаевэ Фазика и гъащIэм гуимыхужу къыхэнащ. А илъэсым абы Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ колхозхэт цIыхубз къызэрыгуэкIыр ди къэралыгъуэшхуэм и дэнэ щIыпIи къыщацIыхуащ. Мысост Алий. Шамкъыз и гуащIэ 1963 гъэм и кIэухым республикэм щыяпэу «Налшык» совхозым щагъэуват «веер»-кIэ зэджэ жэм къызэраш Iэмэпсымэхэр. Куэд а IуэхущIэм тегушхуэртэкъым: зегъэсэгъуейуэ, зехьэгъуейуэ, гъэшым кIэричыну къалъытэрти, Iэщыхъуэхэм зралъэфыхьырт. ИтIанэ фермэм ирагъэблэгъащ жэмыш пашэхэу Чигировхэ Шамкъызрэ Розэрэ, Конаковэ Зое, Гергоковэ Сурэт сымэ. А цIыхубз Iэрыхуэхэм IэмэпсымэщIэм псынщIэу зрагъасэри, къыкIэлъыкIуэ илъэсым жэм къэс хуэзэу шэ киллограмм 3278-рэ кърагъэтащ. Адрейхэри хуэм-хуэмурэ лэжьэкIэщIэм щытегушхуэм, совхозым и гъэш фермэ псори абы хуагъэкIуащ. Шамкъызт еш зымыщIэр: зэпымыууэ Iэщым яхэтт, зэрагъашхэм кIэлъыплъырт, и жэм гупыр къабзэу зэрихьэрт. И IэщIагъэм ар пасэу щыхэгъуэзат хамэщI жыжьэм. Хэку зауэшхуэм къыздриха уIэгъэм я адэр яIэщIихат, зэрыбыни 8-м я нэхъыжьти, еджэныр къигъанэри, хъыджэбз цIыкIуу фермэм кIуащ икIи нэхъыжьхэм ехьэехуэу жэм 13 IэкIэ къишу хуежьащ. Апхуэдэурэ гугъуехьхэр къызэринэкIщ, пашэхэм яхыхьэри, зыхэт гупым бжьыпэр щиубыдащ. И ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я еханэ Дунейпсо фестивалу 1957 гъэм Москва щекIуэкIам ягъэкIуащ. Абы щыгъуэ зэрыхъур илъэс 15-т. Къыщигъэзэжам хъыбарыфI къыпэплъэрт – и къэмылэнджэж лэжьыгъэм къыпэкIуэу «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр къыхуагъэфэщат. Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжа нэужь, Белэ Речкэ жылагъуэм щызэхэт «Акъ-Суу» колхозым и пщIэр къиIэтащ, и зэфIэкIыр къалъытэри, къуажэ, иужькIэ Налшык къалэ Советхэм я депутату хахащ. 1976 гъэм Шамкъыз и жэрдэмкIэ фермищ зэхагъэхьэжри, пенсэм кIуэхукIэ абы и унафэщIу щытащ. Чигировэ Шамкъыз Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и ебланэ хэхыгъуэм и депутату щытащ. 1965 гъэм Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ. КIэфо ТIакъ. Къыргъызым къикIыж балъкъэр лъэпкъыр хэкум къызэрашэжыр цIыхухэр тыншу къызэрырашэкI мафIэгут, ар ещхьтэкъым зэрыдаша, былым зрагъэтIысхьэ вагон кIыфIыжьхэм. Ди къуэшхэм я лъахэм къагъэзэжа нэужь, Балъкъэр Ипщэ къуажэщIэр къызэрагъэпэщащ. Ар зэрагъэтIысынур тхылъымпIэм щаубзыху сурэтым щыфлъагъухэм. Гуауэм и дыджымрэ гуфIэгъуэм и IэфIымрэ Зи адэжь лъахэм зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу лIэщIыгъуэкIэрэ зэдиса, я адэжьхэм къащIэна хабзэм тету пщIэ зэхуащIрэ зэдэIэпыкъужу зэдэпсэуа адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ зэкIэщIачыныр я пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым. Абыхэм я зэхуаку дэлът сату зэпыщIэныгъэхэр, я IэдакъэщIэкIхэмкIэ зэхъуажэрт. Сэ сыкъыщалъхуа, адыгэ къуажэ Зеикъуэ пэмыжыжьэу, километри 8 я зэхуакуу, балъкъэрхэм я нэхъ къуажэшхуэ Гундэлэн къыщылът. А къуажитIым дэсхэр ныбжьэгъу, Iыхьлы зэхуэхъуат. Ди хьэблэ закъуэр къащти, унагъуэ 50-м ящыщу 15-м балъкъэрхэр ягъэблагъэрт: балъкъэр нысэ къашат, япхъу иратат. Апхуэдэ хьэблэу Зеикъуэ 50 иIэт. Си адэшхуэ Дунакъей къыщIэхъуа цIыху 233-м ящыщу 50-р балъкъэр дэкIуащ е къашащ, сыкъызыхэкIа Къущхьэхэ апхуэдэу унагъуэ 500 яIэщ. Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ апхуэдизкIэ гъунэгъу зэхуэхъуауэ зэбгъэдэсти, ахэр зэкIэщIэпчыныр ауэ Iуэху къызэрыгуэкIтэкъым. Ди къуэшхэм епхауэ IуэхугъуитI игъащIэ псокIэ сигу къинэжащ. Япэр, 1944 гъэм ахэр щыдашарщ. А гуауэр си нэгу щыщIэкIам илъэси 10 къудей сыхъуу арат. Къэхъур зигу щIыхьа зеикъуэдэс псори а махуэ жагъуэм километр 12-кIэ гъуэгум и лъэныкъуитIми щиувыкIат. Ар гуауэшхуэт, абыхэм къамылэжьауэ кърах лейм нэпсрэ гъыбзэкIэ фIэкIа дызэрыпэщIэувэн Iэмал диIэтэкъым. Илъэс 70-м нэблагъэ дэкIащ абы лъандэрэ, ауэ а махуэ фIыцIэр зэи си нэгу щIэкIыжыркъым. Балъкъэрхэр хамэ щIыпIэ зэрыщыIа илъэс 13-м къриубыдэу псы куэд ежэхащ. Ауэрэ сэ балигъ сыхъуащ, школыр къэзухащ, институтым сыщеджэри, инженер-электрикыу къэзгъэзэжащ. Ар ирихьэлIат балъкъэр лъэпкъыр лъахэм къыщыкIуэж зэманым. Абы и щIыхькIэ республикэ псор дэрэжэгъуэшхуэм зэщIиIэтэрт. Зеикъуэрэ Гундэлэнрэ я зэхуакум щыIэ щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэм, Бахъсэныпсымрэ Гундэлэныпсымрэ щызэхэлъадэм деж, гуфIэгъуэ зэIущIэ гукъинэж щызэхашат. НэхъапэкIэ зэраубзыхуам тету, лъэпкъитIым я хабзэхэм (Адыгэ Хабзэ, Тау-Адат) къызэризагъэу къызэрагъэпэщат а зэхыхьэшхуэр. Ар мыхьэнэшхуэ зиIэ политикэ Iуэхугъуэу зэрыщытым и щыхьэтт партым и обкомым, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым, Министрхэм я Советым я лIыкIуэхэр къызэреблэгъар. А зэIущIэ гуапэр къызэзыгъэпэщахэм я Iэтащхьэр партым и Iуащхьэмахуэ район комитетым и тхьэмадэ Къущхьэ Гъумарт. Iэнэхэр ерыскъы IэфIхэмкIэ узэдат, цIыхухэр 20 — 30-у пэрыст, Гъумар а псом чэзууэ ябгъэдыхьэрт, хъуэхъухэр, IэплIэешэкIхэр, гуфIэгъуэ нэпсхэр кIэн- шэт. Иджыпсту илъэс 80-м сынэблэгъащи, гуфIэгъуэ куэд слъэгъуащ, ауэ илъэс 13-кIэ зэкIэщIэчауэ псэуа зеикъуэдэсхэмрэ гундэлэндэсхэмрэ щызэрыгъуэтыжам щыгъуэ яIа гуфIэгъуэр пщалъэ гуэркIи къыпхуэлъытэнукъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ сэ и щыхьэт сыхъуащ балъкъэрхэм я гуауэмрэ къахуихуа гуфIэгъуэ махуэмрэ. Ди къуэшхэм къагъэзэжри, занщIэуи къэщIэрэщIэжын щIадзат. Ар щынэрылъагъут Гундэлэн къуажэми. Адрей балъкъэр жылэхэми хуэдэу, абы щаухуащ сымаджэщ зэхэт, тIысыпIэ 400 зиIэ кинотеатр, ЩэнхабзэмкIэ унэ, къатищу зэтет курыт еджапIэ, макъамэм щыхурагъаджэ школ, тыкуэни 9, библиотекэ, сабий гъэсапIэ. Гундэлэндэсхэм яIэрыхьащ токыр, псыр. Сэ срогушхуэ бгылъэ щIыпIэхэм щыIэ балъкъэр къуажэхэм газыр зэрыхуашам си гуащIэ зэрыхэлъым. Илъэс 20-м къриубыдэу Гундэлэн и псэукIэкIэ Зеикъуэ жылэм лъэщIыхьэжат икIи республикэм щынэхъыфI къуажэ хъуат. 1989 гъэм цIыхухэр зэрабжам къызэригъэлъэгъуамкIэ, щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ балъкъэрхэр Урысейм и мызакъуэу, СССР-м япэ щищауэ щытащ. Дуней псом къыщацIыху Кулиев Къайсын, Зумакуловхэ Танзилярэ Борисрэ, Рахаев зэкъуэшхэр, Эфендиев Сэлихь, Казаков Исхьэкъ, Таукенов Магомед, Отаров Керим. Иригушхуэу я цIэр къраIуэ Гундэлэн щыщхэу Мусукаев зэадэзэпхъум, Геттуев Максим, Хутуевхэ Хьэнэфийрэ Светланэрэ, Энеев Тимур, Макитов Сафар, Чеченов Хъусен, Князев Шаман сымэ. Балъкъэр лъэпкъым и щхьэ кърикIуа мыгъуагъэр шыIэныгъэрэ лIыхъужьыгъэрэ хэлъу къызэринэкIащ, иджыпсту лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд зы унагъуэу щызэхэс республикэм я увыпIэр щаубыдыжауэ мэпсэу. Къущхьэ Мухьэжид, УФ-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я энергетик, лэжьыгъэм и ветеран. ЩIыпIэ жыжьэм И псалъэмрэ и Iуэхумрэ зэтехуэу ЦIыху гуащIафIэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр зыфIаща Жангуразов Ибрэхьим ящыщщ адэжь лъахэм пэIэщIэу псэуным и гугъуагъымрэ хэхэсым ишх щIакхъуэм и дыджагъымрэ зыгъэунэхуахэм. Ар къыщыхъуари лIыпIэ щиувари къэзахъыщIырщ, иужькIэ адэжь щIыналъэ хуэхъуарщ. Езы Ибрэхьим зэрыжиIэжымкIэ, и адэ Даути, я лъэпкъым щыщ адэрей нэхъыжьхэри Сталинрэ абы и IупэфIэгъухэмрэ ящIа хьэкIэкхъуэкIагъэм щIагъэджыкIакъым, атIэ хамэ щIыналъэм пщIэ щиIэу щыпсэуа, щыщIалъхьа я хэкуэгъухэр я щапхъэу къэхъуащ. … Даут цIыху губзыгъэт. Абы Ибрэхьим зыхуигъасэр зыт: фIыуэ еджэныр, нэхъыжьхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ яхуэфащэ пщIэ яхуэщIыныр. Абы къыгурыIуэрт псоми лъабжьэ яхуэхъур щIэныгъэр зэрыарар, нэр зыгъаплъэри псэр зыгъэушэри, цIыхум цIыху къыхэзыщIыкIри щIэныгъэрауэ зэрыщытыр и къуэм хуиIуатэрт. Пэжт Даут жиIэр. Ар куэдрэ зыпагъэплъакъым и къуэм хилъхьа гъэсэныгъэм кърикIуа IуэхуфIхэм. Школри ветеринархэр щрагъаджэу Къэзахъстаным щыIэ техникумри фIы дыдэу къиухащ, КъБКъУ-м зоотехникхэр щагъэхьэзыр и къудамэри диплом плъыжькIэ къиухыжащ. Дипломыр къратыжа нэужь, Къэзахъстаным и Акмолинскэ областым и Вишневскэ районым щыIэ «Ижевский» колхозым ягъэкIуащ. Ибрэхьим абы щылэжьащ зоотехникыу, совхоз къудамэм и Iуэхур зезыгъакIуэу, иужькIэ зоотехник нэхъыщхьэу, унафэщIу, итIанэ Вишневскэм джэд гъэхъунымкIэ щыIэ производствэ зэхэтым и Iэтащхьэу, 1967 гъэм щегъэжьауэ «Ижевский» кооперативым и унафэщIу. Ар Къэзахъстан компартым и ЦК-м хэту щытащ, област Советым, Къэзахъстаным и Совет Нэхъыщхьэм я депутату, Къэзахъстаным и УнафэщIым и чэнджэщэгъуу лэжьащ. Абы къыфIащауэ щытащ «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр, Лениным и орденитI, Октябрь Революцэм, Лъэпкъхэм я Зэныбжьэгъугъэ, Вагъуэ Плъыжь орденхэмрэ медаль бжыгъэншэрэ къыхуагъэфэщащ… НэгъуэщIу жыпIэмэ, Ибрэхьим Къэзахъстаным зи насып щызэфIэува, гъащIэр зыхуэщэба цIыху закъуэтIакъуэхэм ящыщт. А насыпыр абы къыхуздихьащ фIыуэ илъагъу IэщIагъэм, игури и псэри етауэ илъэс куэдкIэ зыпэрытам. Насыпым и гъусэу абы къеуэлIащ ехъулIэныгъэр, щIыхьыр, Iулыджыр. 50 гъэхэм я кIэухым илъэс 13-кIэ балъкъэрхэр зыпэплъа Iуэхугъуэр къайхъулIащ. ГъущI гъуэгум тет вагон пщIы бжыгъэхэр Азие Курытым и щIыпIэхэм къыщежьауэ КавказымкIэ къакIуэрт. Иджы ахэр къызэрашэжыр Iэщ къызэрырашэкI вагонтэкъым, атIэ пщIэ зиIэ цIыхухэр зрагъэтIысхьэм хуэдэт. Балъкъэрхэр я насып гъуэгум теувэжати, я гуфIэгъуэм кIэ иIэтэкъым. Абыхэм Iейр зыщагъэгъупщэурэ фIым хуэплъэрт, я лъэIур Алыхьым деж зэрынэсам щыгуфIыкIыурэ зэхъуэхъужхэрт. Пэжщ, ар ауэ сытми къайхъулIатэкъым абыхэм, хьэзабышхуэ ягъэват, ауэ, итIани, зыщIэхъуэпсар къэхъуати, блэкIам зэрыхуемыплъэкIыжыным иужь итт. Зэрагугъам хуэдэуи къаIущIащ я адэжь хэкур. ИкIи абы зэритIысхьэжу, гъащIэщIэр ухуэным и ужь ихьащ, къэралыгъуэр къызэрагъэщIэрэщIэжым и мызакъуэу, дыркъуэ зытехуа гур къызэрыгъуэтыжырт. Мис а лъэхъэнэм гугъуехьышхуэ хэхуащ Ибрэхьими, абы и щхьэм щыкIэрахъуэр зы упщIэт: «Дауэ хъуну?». И лъэпкъэгъухэр адэжь лъахэм нэсыжами, езыр иджыри Къэзахъстаным щыIэт зыдэлажьэ гупым къамыутIыпщу. Абыхэм я гум щIыхьат унафэщI гумызагъэр, ныбжьэгъу пэжыр Кавказым ириджэжу щызэхахам. — А псом нэмыщIыжкIэ, — игу къигъэкIыжырт Ибрэхьим, — сыхэдэныр гугъу дыдэт. Апхуэдиз къарурэ зэманрэ зытезгъэкIуэда псор ауэ хыфIэздзэу дауэ сыкъежьэжыну? Дауэ ар къызэрыбгурымыIуэнур? IэщIагъэлI губзыгъэмрэ унафэщI зэчиифIэмрэ езым я къуэшым хуэдэу фIыуэ ялъагъурт къэзахъхэм, ар къаутIыпщыжынри яфIэфIтэкъым. ХузэфIэкIакъым Ибрэхьим хамэщIым щызэригъэпэща псори хыфIидзэну, экономикэм хуищI хэлъхьэныгъэр къызэтригъэувыIэну, цIыхухэм я псэукIэр зэрыригъэфIакIуэр зэпигъэуну. — Дауэт апхуэдиз къару зэпта псори, узыгъэгушхуэри, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэIэтри къэбгъанэу укъызэрежьэжынур? — жиIэрт Ибрэхьим. ИIэт Жангуразовыр зэгупсысын. Къапщтэмэ, Къыргъызым, Къэзахъстаным къыщалъхуа псоми хэку цIыкIу яхуэхъуар хамэщIырщ. Аращ Ибрэхьим и унагъуэми къыщыщIар. ИужькIэ дэ газетхэм дыкъыщеджащ Къэзахъстан жыжьэм щыпсэу ди лъэпкъэгъур мэкъумэш производствэ ехьэжьам и унафэщI зэрыхъуам, «Социалист Лэжьыгъэм и лIыхъужь» цIэр къызэрыфIащам. Абы и лэжьыгъэм мызэ-мытIэу щытхъуащ Къэзахъстаным и президент Назарбаев Нурсултан, куэдым щапхъэу къахуихьащ. Жангуразоври нобэкIэ иIэ зэфIэкIымкIэ арэзы хъууэ тIысыжхэм ящыщкъым, атIэ и IуэхущIафэхэм махуэ къэс зригъэужьу къогъуэгурыкIуэ. Теппеев Азрэт. 2002 гъэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26393.txt" }
Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен цIыхухэм зэрызахуигъазэр Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм пщэдей ягъэлъэпIэнущ мыхьэнэшхуэ зиIэ пIалъэр — Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр. Республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ я цIэкIэ, сэ къызбгъэдэкIыу си гуапэу сынывохъуэхъу ди республикэм и дежкIэ ипэжыпIэкIэ гуфIэгъуэшхуэу щыт а махуэмкIэ. А махуэ гуфIэгъуэм дэ дригушхуэу къыхыдогъэщ балъкъэр лъэпкъым я адэжь щIыналъэм къызэрагъэзэжрэ блэкIа зэман мыиным къриубыдэу экономикэ, социальнэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэм я лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэ нэрылъагъухэр къызэрихьар, Урысей лъэпкъыбэм хуэфэщэн увыпIэ зэрыщиубыдар. Нобэ абы акъылкIи зэхэщIыкIкIи зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъщ икIи гъащIэщIэр ухуэным йохъулIэ. Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зэкъуэтыныгъэр щагъэувыжа махуэуи щытщ икIи лъэпкъкIэ, динкIэ дызыщыщым емылъытауэ, дэ а зэкъуэтыныгъэр нэр напIэм зэрихъумэм хуэдэу тхъумэну ди къалэнщ. Махуэ гуфIэгъуэм ирихьэлIэу балъкъэр лъэпкъым, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми сохъуэхъу мамырыгъэ, узыншагъэ, ефIэкIуэныгъэ яIэну.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26400.txt" }
Мы махуэхэм Гъатхэпэм и 27, бэрэжьей Театрым и дунейпсо махуэщ. 1962 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. Урысей Федерацэм и МВД-м и къэрал кIуэцI дзэхэм я махуэщ. УФ-м и Президентым 1996 гъэм гъатхэпэм и 19-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ ягъэлъапIэ. 1917 гъэм Налшык гъэзэщIакIуэ комитет къыщызэрагъэпэщащ. Революционер, парт, къэрал лэжьакIуэ Киров (Костриков) Сергей къызэралъхурэ илъэси 127-рэ ирокъу. 1968 гъэм ЩIым и япэ космонавт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Гагарин Юрийрэ Совет Союзым и ЛIыхъужь Серегин Владимиррэ кхъухьлъатэщIэр уэгум щыщагъэунэхум хэкIуэдащ. КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Балъкъэр Фоусэт къыщалъхуа махуэщ. КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, республикэм и Парламентым и депутату щыта Тыкъуэ Зое къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 6 — 8, жэщым градуси 5 — 6 щыхъунущ. Гъатхэпэм и 28, махуэку Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэщ. 1957 гъэм балъкъэр лъэпкъым и автономиер зэфIагъэувэжащ. 1994 гъэм гъатхэпэм и 25-м КъБР-м и Президентым къыдигъэкIащ а махуэр гъэлъэпIэным теухуа унафэ. 1776 гъэм Москва Театр Иныр къыщызэIуахащ. КъШР-м и къэрал лэжьакIуэ, тхакIуэ Псыхэмыхьэ Мусэ и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. Урыс тхакIуэшхуэ Горький (Пешков) Максим къызэралъхурэ илъэси 145-рэ ирокъу. УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, «Советская молодежь» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къардэн Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пщыхьэщхьэхуэкIуэу уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 7 — 9, жэщым градуси 6 — 8 щыхъунущ. Гъатхэпэм и 29, мэрем Дзэм хэт юристхэм я махуэщ. УФ-м и Президентым 2006 гъэм накъыгъэм и 31-м Iэ щIидзащ абы теухуа унафэм. Америкэм щагъэлъапIэ Вьетнамым щызэуахэм я махуэр. США-мрэ абы и гъусэу зэуахэмрэ я дзэхэр Вьетнамым къишыжын зэраухрэ илъэс 40 ирокъу. 1730 гъэм Москва и уэрамхэр ягъэнэхуу щIадзащ. 1891 гъэм Транссиб гъущI гъуэгур ухуэн щIадзащ. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Ало Руслан и ныбжьыр илъэс 67-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ Хуабэр махуэм градус 1 — 4, жэщым градус 1 — 2 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26403.txt" }
Ди къуэш республикэхэм Медведев Дмитрий игу ирихьащ Адыгей. Москва и «Крокус-Экспо» выставкэ центрым гъатхэпэм и 16 — 18-хэм «Интурмаркет-2013» VIII дунейпсо турист гъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIащ. Абы Адыгэ Республикэм саугъэт къыщыхуагъэфэщащ. Экспозицэхэр гъэщIэгъуэн щыхъуащ УФ-м и премьер-министр Медведев Дмитрий. Дихьэхауэ абы псори зэпиплъыхьащ, инвестицэ и лъэныкъуэкIэ Iуэхум щыгъуазэ зищIащ, Лъагъуэныкъуэ щIыпIэм бгы-лыжэ курорт къыщызэгъэпэщынымкIэ защIигъэкъуэну къигъэгугъащ. Гъэлъэгъуэныгъэм нэхъ хуэхьэзыр щIыналъи 5-м Адыгейр яхыхьащ. Абы жыджэру зэрыхэтам папщIэ сертификат щхьэхуэ къыхуагъэфэщащ. Темрезов Рашид Ингушым щохьэщIэ Къэрэшей-Шэрджэс. КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид зи пашэ къулыкъущIэ гуп Ингушым щыIащ. Абыхэм къаIущIа Евкуров Юнус-Бэч къыхигъэщащ хьэщIэ лъапIэхэр иригъэблэгъэну зэригуапэр. — Ди щIыналъэхэм я зэхуаку зэныбжьэгъугъэ, зэгъунэгъугъэ зэхущытыкIэфIхэр щызэтеубла мэхъу. Кавказым щыпсэухэр сыт щыгъуи цIэрыIуэщ я хьэщIэ егъэблэгъэкIэмрэ хабзэ екIумкIэ икIи зыр адрейм диIыгъыу дыкъогъуэгурыкIуэ. Къэрэшей-Шэрджэсым насыпрэ зэIузэпэщыгъэрэ иIэну, ди лъэпкъхэм я зэхущытыкIэр нэхъри быдэ хъуну си гуапэщ, — жиIащ Евкуровым. Абы хьэщIэхэм яригъэлъэгъуащ къыщызэрагъэпэщам щыщIэдзауэ нобэр къыздэсым я республикэм къыщыхъуа мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэр къызытещ тхыдэ дэфтэрхэр. Темрезовым къыхигъэщащ республикэм удэзыхьэх ухуэныгъэ куэд зэрыщыIэр. Абыхэм ящыщщ Фэеплъымрэ щIыхьымрэ я мемориалыр, Гъэмахуэ амфитеатрыр. КъШР-м и Iэтащхьэм жиIащ мы гъэм Черкесск къалэм нэгузегъэужьыпIэ щыухуэным зэрыщыщIадзэнур. Ингушым и Iэтащхьэр абы Архъыз курортым иригъэблэгъащ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26405.txt" }
Джэданэ Алим Дунейпсо кубокыр къехь Гъатхэпэм и 22 — 23-хэм Аргентинэм и къалащхьэ Буэнос-Айрес дзюдомкIэ Дунейпсо кубокыр къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Абы дыщэ медалыр щызыIэригъэхьащ Джэданэ Алим. Къэрал тIощIым къикIа спортсмен Iэзэ 215-м бэнэныгъэ гуащIэ ирагъэкIуэкIащ. Килограмм 66-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм зыри къыщыпэлъэщакъым Европэм и чемпион Джэданэ Алим. Финалым зэрыхуэкIуэ гъуэгум абы зэкIэлъхьэужьу щыхигъэщIащ Португалием щыщ Соареш Педрэ, венгр (мэжэр) Замбори Бенц, Бразилием икIа Перейрэ. КIэух зэIущIэм къыщыпэщIэува бразил щIалэ Чибану Чарльзи зэрелIэлIэща щыIэкъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Джэданэ Алим Дунейпсо кубокымрэ дыщэ медалымрэ зыIэригъэхьащ. Аргентинэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм текIуэныгъэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студент, нэгъабэ Лондон Олимп чемпион щыхъуа Галстян Арсени. Ар килограмм 60-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм щынэхъыфIащ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26408.txt" }
Щэнхабзэм зезыгъэужьхэр Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я махуэр Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан республикэм и творческэ лэжьакIуэ гупышхуэ щIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмкIэ игъэпэжащ, Музыкэ театрым и лэжьакIуэхэм абыхэм папщIэ пшыхь гукъинэж зэхашащ. Фырэ Руслан егъэпажэ Мэз Джульеттэ. — Си гуапэу сынывохъуэхъу щэнхабзэм и лэжьакIуэ псоми! Нобэ ди пшыхьым, ар нэхъ лъапIэ ящIу, кърихьэлIащ фIыуэ тлъагъу, ди щэнхабзэм зезыгъэужьа ди нэхъыжьыфIхэу Ефэнды Джылахъстэнрэ Ульбашев Азноррэ. Мы зэманым лъэпкъыр зыхунэса IуэхуфIхэр зи фIыгъэр абыхэм хуэдэ лэжьакIуэ псэемыблэжхэрщ, — жиIащ Фырэ Руслан. Министрыр къеджащ республикэм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI тхыгъэм. Абы итт: «Гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэ! Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр зыхъумэ дэтхэнэми фIыщIэ псалъэрэ щытхъурэ фхуэфащэщ. Фэ фи зэфIэкIкIэ, щIэныгъэкIэ, зэчийкIэ ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрывогъэхьэ, апхуэдэуи республикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ фи IуэхущIафэхэмкIэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэр зэревгъэфIакIуэм. Урысейми хамэ къэралхэми я утыку нэхъ инхэм ди цIыхухэр зэрихьэфым ущымыгуфIыкIыу къанэркъым. Си фIэщ мэхъу зи лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэ, мурад пыухыкIа зиIэ цIыхур сыт щыгъуи и щIыналъэм сэбэп зэрыхуэхъунур. Щэнхабзэм зезыгъэужь ди цIыхухэм сохъуэхъу узыншагъэ быдэрэ гукъыдэж мыкIуэщIрэ яIэну, лъагапIэщIэхэр зыIэрагъэхьэну». Шэрджэс Iэсият уэрэд жеIэ. АдэкIэ Фырэ Руслан утыкум иригъэблагъэурэ щIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ зыхуагъэфэщахэм яритыжащ. Апхуэдэ пщIэ ялъысащ: КIэбышэ Iэхьед (ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актер), Созаевэ Марьям (Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и актрисэ), Хьэщэ Иринэ (КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщIым щIэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ), КIэщт Рузанэ (Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэ НыбжьыщIэ библиотекэм и лэжьакIуэ), Назаровэ Эльвирэ (Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и унафэщIым и къуэдзэ), Куэтэншы Руслан («Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэ), Пащты Аминэ («Балкария» къэфакIуэ гупым хэт), Жылау Хьэсен (Къэрал филармонием и унафэщIым коммерческэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ), Темыркъан Людмилэ (ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №1-м и унафэщI), Шурдым Оксанэ (КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм кадрхэмкIэ и IэщIагъэлI), Созаев Хъусен (Музыкэ театрым и хорым и артист), МафIэдз Иринэ (Зи нэм имылъагъухэм я республикэ библиоте- кэм и лэжьакIуэ), нэгъуэщIхэми. Пшыхьым кърихьэлIахэр. Пшыхьым кърихьэлIахэр едэIуащ Пучинни Джакомэ и «Турандот» оперэм щыщ арие, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Ташло Алий игъэзащIэу. Оперэр япэ дыдэу 1926 гъэм Милан къалэ утыку къыщрахьауэ щытащ. Ташло Алий ар гум хыхьэу, узыIэпишэу игъэзэщIащ. КъыкIэлъыкIуэу Алийрэ Мамбэт Мадинэрэ зэгъусэу жаIащ Джузеппе Верди и «Травиата» оперэм щыщ «Застольная» Iыхьэр. ИкъукIэ гукъинэжт Жабоевэ Замирэ игъэзэщIа «Жетем» франджы уэрэдыр. Пщыхьэщхьэм кърихьэлIахэр абы мащIэуи дежьууащ, Iэгуауэшхуи хуаIэтащ. ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа Магомаев Муслим и «Синяя вечность» уэрэдыр макъ лъэщкIэ жиIащ музыкэ театрым и лэжьакIуэ Абэнокъуэ Рустам. Апхуэдэуи абырэ Мэкъуауэ Эльмирэрэ зэдагъэзэщIащ Бабаджанян Орно и ноктюрныр. Бесчокъуэ Майе жиIащ Дунаевский Исаак «Моя любовь» кином хуитха лирикэ уэрэдыр. Альбинони Томазэ и «Тени» IэдакъэщIэкIыр Азэмэт Наталье фIы дыдэу къехъулIащ. Гухэхъуэгъуэ къуату а пщыхьэщхьэм я макъ ягъэIуащ Шэрджэс Iэсият, Хъупсырджэн Албэч, Даур Иринэ, Гуазэ Тимур, Холамханов Къайсын, Белоцерковская Динэ сымэ. Пшыхьыр зи лэжьыгъэкIэ зыгъэдэхахэм ящыщщ Музыкэ театрым и режиссер нэхъыщхьэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сафаровэ Тамарэ, IуэхущIапIэм и симфоние оркестрым и дирижерхэу Щэбэтыкъуэ Натбийрэ Чибурной Александррэ. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26416.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ я нэтынхэр 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 1 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.30 «Гъуэгуанэ дахэ». «Iуащхьэмахуэ» журналыр къыдэкIын зэрыщIидзэрэ илъэс 55-рэ щрикъум ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.00 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 18.30 IутIыж Борис «Жьэмыгъуэ — Африкэм». ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и спектакль. Япэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.25 «Шукур, энтта тюбедик!…». УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля. Ещанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) 19.55 «УгушыIэнумэ, къеблагъэ». ГушыIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.15 «Пшынауэ удж». Кавказ Ищхъэрэм и пшынауэхэм я концерт. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (16+) 21.10 КъБР-м ММА-мкIэ екIуэкIа чемпионатым и иужьрей зэIущIэхэр 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, мэлыжьыхьым и 2 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 Журналист, композитор Этчеев Музэфар и ныбжьыр илъэс 50 ирокъу. «Сэлам алейкум, Музэфар!» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.35 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.55 «Пшынауэ». УФ-м и цIыхубэ артисткэ Къашыргъэ КIурацэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.35 «Гъуэплъафэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+) 18.00 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.30 IутIыж Борис «Жьэмыгъуэ — Африкэм». ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и спектакль. ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.25 Мультфильм 19.35 «Шукур, энтта тюбедик!…». УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля. ЕплIанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) 20.00 «Жьэгу». КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Баккуев Владимир (балъкъэрыбзэкIэ). ЕтIуанэ нэтын (12+) 20.30 «Пшынауэ удж». Кавказ Ищхъэрэм и пшынауэхэм я концерт. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.25 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 3 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ». Къэрэшей усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Семенов Исмэхьил (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.25 « Си лъахэ». ХьэтIокъущыкъуей жыг хадэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.50 « ЩIэныгъэлI». Химие щIэныгъэхэм я доктор Шурдым Барэсбий (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.15 «Хабзэм къигъэув упщIэ». Къэрал мылъкур приватизацэ зэращIым теухуауэ (16+) 9.40 «Тайм-аут» Спорт тележурнал (12+) 18.00 «Чемпионхэр». СССР-м шы спортым и мастер Къуныжь Мухьэрбий (12+) 18.25 IутIыж Борис «Жьэмыгъуэ — Африкэм». ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и спектакль. Ещанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.25 Мультфильм 19.45 « Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу». КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, журналист Геляховэ Лизэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.15 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.35 «Ди псэлъэгъухэр». «Владикавказ» псыщIагъырыкIуэ кхъухьым и къудамэм и унафэщI Къэлэжьокъуэ Артур (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.00 «Зэманым екIуу» 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, мэлыжьыхьым и 4 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «ЩIэныгъэм ухуэзышэ гъуэгу». Географие щIэныгъэхэм я кандидат Хаджиев Мухътар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.25 «ФIыуэ тлъагъу бзылъхугъэхэм дынывохъуэхъу!» Концерт 18.00 «Чемпионхэр». СССР-м футболымкIэ спортым и мастер Гогибедашвили Заур (12+) 18.25 IутIыж Борис «Жьэмыгъуэ — Африкэм». ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и спектакль. ЕплIанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.25 Мультфильм 19.40 «Ууаз»(балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.10 «Псыпэхэш». Адыгэ джэгуакIуэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ къызэралъхурэ илъэси 150-рэ ирокъу (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.45 «Медицинэмрэ дэрэ». Май куей сымаджэщыр (12+) 21.05 «Тхьэм тхуигъэпсэу ди анэхэр». Сабий сымаджэхэм ядэIэпыкъу «Гугъэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтырэ къызэрагъэпэща концерт 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, мэлыжьыхьым и 5 7.20 Мультфильм (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7. 55 «ГукъэкIыжхэр». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Гуртуев Берт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.30 «Ди псэлъэгъухэр» (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.00 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ тележурнал (12+) 9.25 «Тхьэм и унэм ухуэзышэ гъуэгу» 18.00 «Дыжьын уэшх». УсакIуэ Ольмезов Мурадин (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 18.20 «ЛIэужь». Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Мамбэт Хьэлым (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.25 Мультфильм 19.30 «Гупсысэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) 20.00 «Сабиигъуэм и лъахэ». УсакIуэ Хьэту Петр (адыгэбзэкIэ) (6+) 20.25 «Республикэм хуэгъэзауэ». Прохладнэ район администрацэм и Iэтащхьэ Василенкэ Александр (16+) 20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, мэлыжьыхьым и 6 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Шэрджэсхэм я дуней». Сабий-ныбжьыщIэ творчествэм и республикэпсо фестиваль-зэпеуэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Литературэм теухуа псалъэмакъ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.05 «Таурыхъыр ди хьэщIэщ» (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.35 «ЩIыуэпс». Дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.40 Мультфильм 16.50 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 17.10 «Къызэпауда хъуэпсапIэхэр». УсакIуэ Сарбашев Зуфар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.45 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 18.00 «Узыншэу фыщыт» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.20 «IэщIагъэлI». Хьэмырзэ Руслан (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.40 «Гум къиIукI макъамэ». Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Уэтэр МуIэед (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.25 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 19.40 «Урысейм и макъ жьгъырухэр». УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм я урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэр (12+) 20.10 «Гъуаплъафэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+) 20. 35 «Перспектива». «КъБР-м жыг хадэхэр щыгъэкIын» Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым щекIуэкIа щIэныгъэ-практикэ конференцым 21.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 7 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Унагъуэ». Энеевхэ я унагъуэр. Налшык къалэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.50 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 8.05 «КъэкIуэнур зейхэр». Хэкур фIыуэ ялъагъуу щIалэгъуалэр гъэсэным теухуауэ. Бахъсэн къалэ дэт курыт еджапIэ №10-р (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.25 «Абы и псалъэр». ТхакIуэ Мэзыхьэ Борис (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.55 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.50 Мультфильм 17.05 «Ретроспектива». «Вид с белой горы» телефильмыр 18.05 «ЗэIущIэхэр». Авиацэм и полковник, Май куейм хыхьэ Октябрьскэ къуажэ кIэдетхэм я школ-интернатым и унафэщI Биттиров Борис дыIуощIэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.40 «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым я концерт (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.30 «Гум имыхуж». УФ-м щIыхь зиIэ и артист Болэ Мурат (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.00 Урысейм бгы-лыжэ спортымкIэ и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм къратыкI репортаж (12+) 20.10 « Тхыдэм хэт цIыху». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Хьэщхъуэжь Раисэ (16+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 1 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 21.15 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр Гъубж, мэлыжьыхьым и 2 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 9.30 «Макъамэ пощт» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» (адыгэбзэкIэ) 21.10 «Литературэм и лъахэ» Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 3 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 Ток-шоу «Адэхэмрэ бынхэмрэ» Махуэку, мэлыжьыхьым и 4 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIахэр» 9.30 «Макъамэ пощт» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «ЦIыхумрэ зэманымрэ». ТхакIуэ Жулабов Юзйир (балъкъэрыбзэкIэ) 21.10 «ОРКСЭ». Дин щэнхабзэм и къежьапIэр Мэрем, мэлыжьыхьым и 5 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 20.40 «Унагъуэ альбом» Щэбэт, мэлыжьыхьым и 6 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIахэр» 10.35 «Макъамэ пощт» Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 7 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр КъБР-м и радио Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 1 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «ЩIэныгъэм я дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00-9.20 «Гум и къеуэкIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, мэлыжьыхьым и 2 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.30 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.48/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Классикэ макъамэм и концерт» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.35 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 3 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «Дунеймрэ абы щыпсэу цIыхумрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Салам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, мэлыжьыхьым и 4 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэ-рыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ » (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм папщIэ ятха пьесэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.34/17.42«Сабийхэм хухаха зы сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.44/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 «Уэрэдыжьхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/12.45«Дэтхэнэри щIыхьэну хуит ящI» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, мэлыжьыхьым и 5 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.10 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабийхэм хухаха зы сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/16.35 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, мэлыжьыхьым и 6 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Эрирей» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр» (урысыбзэкIэ). 10.00/10.30 «Дэрэжэгъуэ» Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00/14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 7 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыб-зэкIэ). 9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ). 10.40/10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35/14.00 «УсакIуэмрэ уэрэдымрэ» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26424.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Фэ фщIэрэ? Зэманым и уасэр Къызыщывгъэхъут пщэдджыжь къэс ахъшэ сом 86.400-рэ къыфхуэзыутIыпщ банк фиIэу. А махуэм фымыгъэкIуэду къэнар етI- уанэ махуэм къыфхуиутIыпщым хилъхьэжыркъым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, жэщым фи счетым зыри имылъыж мэхъу. Сытыт а ахъшэ къомым ефщIэнур? «Зы кIэпIейкIэ къэмынэу здэтхьын къэдгъуэтынт», — жыфIэнущ фэ. Пэжыр жыпIэмэ, дэтхэнэ зыми диIэщ апхуэдэ банк. Абы зэреджэр — зэманщ. Пщэдджыжь къэс медан 86.400 къыдет абы. Жэщ къэси йокIуэдыкIыж. Къыдэхуэр адрей махуэм хибжэжыркъым. МахуэщIэ къэс щIэрыщIэу бжэуэ щIедзэ. Махуэм къыфхуигъэкIуэта зэманыр къэвмыгъэсэбэпыфмэ — хэщIыныгъэр фи Iэрылъхьэщ. Абы къэгъазэ иIэжкъым. КъыкIэлъыкIуэ махуэми щIыхуэу къеIыпхIа хъуркъым. Зыгуэр зэвгъэхъулIэну фыхуеймэ, фи зэманыр тэмэму къэвгъэсэбэп, фейдэ къызыпыкIын гуэрым хэфлъхьэ. Зы меданми уасэшхуэ иIэщ, ар фIыуэ флъагъу цIыхум и гъусэу вгъэкIуамэ, къыфщхьэпэжын Iуэху зэфIэвгъэкIамэ… ЖыIэгъуэхэр ШыIэныгъэмрэ къарумрэ ЦIыхум куэдрэ ущымытхъу, абы Iуэху мыщхьэпэ кърикIуэнкIэ хъунущ. Гугъэр бгъэфIэн, пхъумэн хуейщ. Ар гум и щIэгъэкъуэн къызэрымыкIуэщ. Лъагъуныгъэм и щэху псори зыщIэр зыгуэр фIыуэ зылъагъурщ. Хэхъуэм и Iэмал нэхъ тыншыр пщIэншэу умыгъэкIуэдынырщ. Зэдауэм и хеящIэ нэхъыщхьэр зэманырщ. УкIытэр цIыхум напэ зэриIэм щыхьэт техъуэ Iуэхущ. ШыIэныгъэр къарум нэхърэ нэхъ лъапIэщ. Къаруракъым пэжымрэ захуэмрэ зыхэлъыр, атIэ пэжымрэ захуэмрэщ къару хъужыр. ШыIэныгъэм губзыгъагъэмрэ хахуагъэмрэ я гъуэгур къыпхузэIуех. ЗыхыумыщIыкI Iуэхум упэрымыхьэ. Щыуагъэр акъылым и япэ дерсщ. Щэнхабзэр жылагъуэм и зыужьыныгъэр цIыхухэм я фIэщ зыщI Iуэхущ. Делэм зэрызыщыпхъумэнур шыIэныгъэщ. ФэрыщIагъэм гуапагъэ къудей мыхъумэ, зы сэбэпынагъ къыпэкIуэркъым. Ди щхьэ дзыхь зэрыхуэтщIыжыр нэхъ мащIэху, нэгъуэщIым жиIэр нэхъыбэу ди фIэщ мэхъу. Уи IэщIагъэм хуиIэ лъа-гъуныгъэм узыхуишэр Iэзагъырщ. Гуапагъэм нэхърэ нэхъ къару лъэщ щыIэкъым. Iэзагъыр, лэжьыгъэр, лъагъуныгъэр зэхыхьа нэужь зэчий къагъэщI. Хъурей Феликс, философие щIэныгъэхэм я доктор. Мэлыжьыхьым и 1-р ГушыIэм и махуэщ КъардэнгъущI Зрамыку итхыжа хъыбархэр Ди анэм щхьэкIэ ар дауэ пхужыIа? И лIыр лIэри, нанэр и закъуэу къэнат. Къуищ иIэти, щыри хэкIауэ унагъуэ щхьэхуэ зырызу псэут. И нысищри бзаджэ защIэти, нанэр зыми зрашэлIэн ядэртэкъым. Дэтхэнэми жиIэрт: — Сыт сэ си закъуэ си гуащэр щIэспIыжын хуейр? Апхуэдэу щыхъум, и къуищыр зэхуэсыжри, я анэм унафэ тращIыхьащ зы тхьэмахуэм зым деж, адрей тхьэмахуэм адрейм деж яхьурэ щагъэIэну. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэгуэрым, зэшищым я зым и анэр езым и деж щихьым, ефэндыр къыдэкIауэ куэбжэм деж щыту илъагъури: — Фи анэр апхуэдэу щIыбкIэ къевмыхьэкIыу, лIы ефтыжын хуейщ, — жиIащ. Зи анэр зи щIыбым ис щIалэм зыкъигъазэри, ефэндым зыкъыхуигъэгусащ: — Iэу, ефэнды, жьы хъуа ди анэм щхьэкIэ ар дауэ пхужыIа? — Ефэндым имыщIэу уэ нэхъ пщIэрэ! — жиIэри, фызыжьыр ефэндым и щIыбым итIысхьащ. ЛIэуэ зэгъэжам и насыпщ Зэныбжьэгъу щIалэжьитI пщыхьэщхьэу я ныбжьэгъу ещанэм деж ефакIуэ макIуэ. Бжьыхьэщ, уэшхымрэ уэсымрэ зэщIэлъу къотIэтIэх. Къуажэ уэрамыр кIыфIщ, ятIэщ. Езы тIри махуэ псом лэжьащ. АрщхьэкIэ фадэр бзаджэщ, я ныбжьэгъум цырибон яIэу къажриIащи, къуажэкIэм икIауэ къуажапщэм епIэщIэкIыу макIуэхэр. ТIури щымщ. Ауэрэ кхъэм нэсауэ здыблэкIхэм: — ТхьэмыщкIэхэ, ефи-ешхи зимыIэж насыпыншэхэ, — жиIащ зым кхъэм щIэлъхэм щхьэкIэ. Зэ нэсынтэкъэ, зэныбжьэгъуитIыр здэкIуэм нэсащ. Ауэ, здэкIуа я ныбжьэгъур дэмысу, куэбжэри гъэбыдауэ хьэри къэутIыпщауэ ирихьэлIащ. Кърагъэзыхыжауэ къохыж. ЩIыIэщ, псыIэщ, ятIэщ. Бжьыхьэ щIыIэр я нэкIум къоуэ. ТIури щымщ. Ауэрэ кхъэм къэсыжащ. — Насып зиIэ, хуабэ-хуабэу кхъэм щIэлъхэщ, дэ уэсри къыттесэу, уэшхри къыттешхэу, ятIэри зэхэдутэу дыдэтщ, — жиIащ етIуанэм. Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр Кавказ-бгырыс эскадрон ныкъуэм и адыгэ зауэлIым и фащэ нэхъыфIыр щыгъщ, абы и щIыбагъым щыволъагъу фащэ къызэрыгуэкIкIэ хуэпа зауэлIыр. Сурэтыр Белоусов Л. А. ищIащ. 1832 гъэ ГъэщIэгъуэнщ Уи нэр зэтехауэ укъепсыфынукъым Кхъухьлъатэм ущисым и деж уи щхьэцыр тIукIэ нэхъ псынщIэу къокI. Уи нэр зэтехауэ укъепсыфынукъым. «Чупа-чупс» кIэнфетым и логотипыр зыщIар Дали Сальвадорщ. Лимоным фошыгъу нэхъыбэ хэлъщ щIымэракIуэм нэхърэ. Сабийхэр гъатхэм нэхъ псынщIэу хохъуэ. Джэдур и гъащIэм щыщу процент 70-м мэжей. Аляскэм и бэракъыр зыщIар илъэс 13 хъу щIалэ цIыкIущ. Инджылыз библиотекэхэм нэхъыбэ дыдэу къыщIадыгъукIыр «Гиннесс и рекордхэм я тхылъыр» аращ. Сахарэ къумым 1979 гъэм мазаем и 18-м уэс къыщесауэ щытыгъащ. Зы щхьэц налъэм хьэлъэ килограмми 3 иIыгъыфынущ. Пшэхэр Ипщэ КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ зэи есыркъым. Фи лъэIукIэ Хъытех Мыр адыгэ унэишэм и пкъыгъуэ гъэщIэгъуэну щытащ. Абы и кIапэлъапэу плъытэ хъуну къыщIэкIынущ нысащIэр фызыжьхэм я деж щIашауэ абы и щхьэтепхъуэр яIэтурэ щеплъыр. Хъытех хабзэр Нэгумэ Шорэ и лъэхъэнэм къыфIэкIагъэнукъым. Адыгэ хабзэм хуэгумащIэ Нэгумэ Шорэ и тхыгъэм абы щхьэкIэ зы тIэкIунитIэ къыхощыжыр, езы псалъэ «хъытехри» къыщехьыр. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, нысащIэм и щхьэтепхъуэр шабзэшэкIэ псынщIэу къытрапхъуэтыкIын хуейт. Ар къалэн щащIауэ къытезыпхъуэтыкIым хъытехкIэ еджэрт. Нэгумэ Шорэ и фIыгъэкIэ хъытех жыхуаIэм щхьэкIэ нэхъыжьхэм деупщIу къэдублат, икIи абы щхьэкIэ ди жьыщхьэ махуэхэм ящIэжыр мащIэтэкъым. Дауи, ар нобэрей нэхъыжьхэртэкъым, атIэ хыщI-блыщI гъэхэм илъэсищэм нэса, абы щхьэпрыбэкъукIахэрт, адыгэ хабзэм щIапIыкIахэрт. Хъытехыу ущытыныр, ар къыпхуагъэфэщэныр щIыхьышхуэт икIи дзыхь щхьэхуэт. Абы къищынэмыщIауэ шынагъуэ гуэрхэри пылъу ялъытэрт. Ар ящIэу, хьэгъуэлIыгъуэ зиIэ унагъуэм я нэхъыжьыр мыр хъытех тхуэхъуащэрэт, жиIэу зэхъуапсэм я деж кIуэрти, абы и адэ-анэм елъэIурт, ямыгъэщIэхъуу а хабзэр я щIалэм ирырагъэгъэзэщIэну. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъапэм хъытехыу щытар цIыхухъущ: щIалэ е лIы. ИужькIэ, унэишэм щыгъуэ ар бзылъхугъэхэм къапекIуэтэкIыжащ. Ар Нэгумэ Шорэ и зэманым ирихьэлIауэ къыщIэкIынущ, сыту жыпIэмэ, абы зи гугъу ищI хъытехыр цIыхубзщ. Щхьэтепхъуэр щхьэкум и деж къыщыфIагъанэрти, шабзэмкIэ, нэхъ тэмэму, шабзэшэмкIэ псынщIэу къытрапхъуэтырт. ИужькIэ ар башкIэ къытрах хъуащ. Шэрджэсхэм апхуэдэ башыр ямыгъэкIуэду зэрахьэрт, нысащIэм сабий игъуэтмэ, гущэпс баш ящIыну. ЦIыхухъухэр хъытехыу щыщытам щыгъуэ абы къагъэсэбэпыр къамэт, е сэшхуэт. НысащIэм и щхьэтепхъуэр трапхъуэтын ипэкIэ ар бгыкъу гуэрым и лъабжьэм щIагъэувэрт. Бгыкъу апхуэдэу щымыIэмэ, щIалитIым бжэгъу къащтэрти, абы щхьэщаIыгъэт. АбыкIи зэфIэкIыртэкъым. Щхьэтепхъуэр сэшхуэпэкIэ е къамэпэкIэ къытрипхъуэтыным ипэ къихуэу, щIалэр нысащIэм елъэIурт, зимыхъунщIэну, Iэдэб цIыкIуу щытыну. Абы нысащIэм тепхъуа щхьэтепхъуэм и кум деж Iэщэ иIыгъым и пэр къыщыфIигъэнэну зищIырт, зэи, тIэуи. Апхуэдэхэм и деж ар шынауэ къыIулъэтыным ещхьу зищIырт, итIанэ аргуэру къытригъазэурэ щхьэтепхъуэм щIэтым елъэIурт, ар губзыгъэ цIыкIуу щытыну, зишыIэну, зимыхъунщIэну. А псори зы джэгукIэ гъэщIэгъуэн гуэрым ещхь хъурт. ЩIалэм и лъэIухэр, къауIэ, къаукI зэрыпэтар, къыIумылъатэмэ, щэнейрэ къытрагъазэрти, еплIанэм щыгъуэ, пэж дыдэу, щхьэтепхъуэр нысащIэм и щхьэм къытрипхъуэтырти, къамэмкIэ е сэшхуэмкIэ а нысащIэр зи лъабжьэ щIэт бгыкъум е абы щхьэщаIыгъэ бжэгъум щэ еуэгъуэ еуэрт. Адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм, унэишэм хэкIуэдыкIыжа мы хабзэр гъэщIэгъуэныщэщ. Абы узригъэгупсысыр щхьэтепхъуэм щIэт бзылъхугъэм Iэщэ иIыгъыу, е абы пэшэгъу иIэу, ар бзаджэ гуэрхэм пыщIауэ, цIыхур абы щышынэу зэрыщытырщ. ИужькIэ нэгузыужь джэгукIэу къытщыхъуу къэна щхьэкIэ, абыхэм лъабжьэ куу яIэщ, лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм и нэпкъыжьэ хэмыгъуэщэжу къэнауэ. МафIэдз Сэрэбий. Прозэу тха усэ Уэрыншэ дунейм сыщозэш Созэш, сыщозэш уэрыншэ дунейм. Сесэжкъым, зикI, уи нитIыр зэрызмылъагъужынум къыпкърыкI гугъусыгъум. Уеблэмэ, сфIэигъуэщ сытебзэхыкIыжыну уэ ущызимыIэж, ущызмыгъуэтыж дунейм. СфIэгъэщIэгъуэну, сфIэнасыпу, сфIэфIыгъуэу зыри зытемытыж дуней зеиншафэм. И насыпкъэ уэ узыхуэпсэум, дунейм узыхутетым — и кIэныр кIэншэу, и гурыфIыгъуэр щIэншэу, и дуней зэфэзэщу уогъэпсэу ар. ЩIэчэ имыIэу, еш умыщIэу уогъафIэ, щIэщыгъуэмрэ фIыгъуэмрэ я курыкупсэм хогъэс. Гупсысэм я нэхъ IэфIыр, къэуатыбэр лъогъэс. УщытеплъэкъукI къэмыхъуу и псэр уохъумэ, и гум къэкI гуапагъэм ухуохъу джэрпэ-джэж. Зы лъэбакъуэ лейуэ пчамэ, утехьэулеикIа къыпфIэщIамэ, слъэгъуам хуэдэу сощIэ, зы бэлыхь къытепсыха уфIэщIу, гумащIагъэкIэ угъэнщIауэ, уи фIэщыпсрэ уфIэфIыпсу зыбокъузылIэж. УлIэным хуэдэу фIыщэу уолъагъу. Лъагъуныгъэбзэ гуакIуэкIэ уегъэпсалъэ, дамэ къыптригъакIэм дуней жэнэтыр къызыхыуегъэлъэтыхь, уи гъащIэри уи псэри тыхь хуэпщIын хьэзыру дапщэщи ущигъэтщ. ГурыфIыгъуэ мыкIуэщIыжкIэ уи псэр кудащ. Куэду, куэдыкIейуэ гукъыдэж къыпхелъхьэ. Сэ созэш, сыщозэш уэрыншэ дунейм. Сытозашэ си хъуреягъым щекIуэкI псоми. КъызозэвэкI мы щIы хъурейр, къысщохъу сыщылейуэ мы гъащIэм. Псоми яфIэтелъыджэ, яфIэфIэрафIэ, яфIэнэфIэгуфIэ гъащIэ теплъаджэм. Уэ ущыспэIэщIэ дунейри уэрыншэу къыпызбжыкI зэманри сыткIэ лъапIэ?! Iулъхьэ къыпэзгъэкIуэн къэгъэнауэ, телъхьэ хуэсщIыжу хэти естыну сыхьэзырщ апхуэдэ гъащIэр. Ауэ урихуэупсэ хъуну пIэрэ зыгуэрым абыкIэ? ФIэщ щIыгъуейщ псэ зыпыт гуэри абы щыгуфIыкIыну. И псэ гуэгъум хуэныкъуэ зэпыту, щIэхъуэпс зэфэзэщу, мы дунеижьыр и щхьэм къыфIаIубэми ярейуэ нэплъэгъуэ зымыгъуэту псэуну зи нэ къыхуикI, гъуэтыгъуейщ. Гъэвыгъуейщ псэм бдзапцIэу къытещIэ гупсысэ ткIыбжьхэр, шэчыгъуейщ акъылыр зэщIэзыблэ гуныкъуэгъуэхэр, лъытэгъуейщ бжьэ зэуа Iэпкълъэпкъыу гур зыгъэбжьыбжьхэмрэ зыгъэбэгхэмрэ. Сэ созэш, сыхуозэш уи теплъэм, уи плъэкIэм, уи псалъэм, уи гуфIэкIэм… Уэ пщыщ псоми сахуозэш. Уэрыншэ гъащIэр сэркIэ нэщIщ. Си псыхуэлIэ изых уи макъыр зэхэзымыхыж си тхьэкIумитIыр дэгу пэлъытэщ, гулъытэншэу къэбгъэна си нитIыр хъуащ хьэфиз. Созэш, сокIуэщI, согумэщI икIи сесэжкъым… Се-сэжкъым хъуэпсапIи, гугъапIи, теупIи, напIи щызимыIэж, зыкIи сызыхуэмеиж уэрыншэ гъащIэм. Жамбэч Рабия. Унэгуащэхэм папщIэ Гъуаплъэ хьэкъущыкъукIэ зэрахьэркъым Хьэцыбанэр къыщащыпыр жэп теха иужькIэщ. Япэ зэманым хьэщIэхэм хуаукIыу щытар илъэс ирикъуа шыщIэт. Абы ил нэхъ щабэхэр шэкIэ ягъавэрт. А шхыныгъуэр, псом хуэмыдэу и лэпсыр, хуабжьу сэбэпышхуэ яхуэхъурт жьэнуз зиIэхэм. Лэпсыр хуабэущ зэрырафыр. Фошыгъу уз зиIэхэм я дежкIэ сэбэпышхуэщ щIэрыкIуэ, аму, ажэмыхъэ, андэгурэ укъэбза, кIарц гъэгъа (хужьыгъэр), яшхыну, къундэпсо, шкIэплъ гъэвам и псым ефэну. Шыбжий сыр зышхрей цIыхур нэхъ акъыл жан мэхъу. Зи бзэгу къихуахэм джэдгын ущэба жьэдагъэщащэри, я жьэр зэтепIауэ щагъэтщ и ибжьэныр иухыхукIэ, итIанэ къыжьэдадзыж. Ар щащIыр гъуэлъыжыгъуэм и дежщ. Шыл, бабыщыл, къазыл пшэрхэм къыхащIыкI шхыныгъуэхэр, абы я дагъэр сэбэп яхуохъу щIыIэ зыхыхьахэм, жьы зыхуримыкъухэм, жьэн уз зиIэхэм. Жэмыкуэм, кхъуейжьапхъэм халъхьэну кхъуей цIынэр шыгъу темыудауэ тIэкIурэ ягъэтэдж. Къубатий Борис. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 3. Удз дэжей. 7. Пхъэщхьэмыщхьэ гъуэжь гуащIэ цIыкIу. 8. Европэм щыщ лъэпкъышхуэ. 9. Зеиншэ. 10. Ди лъэпкъылI цIэрыIуэ: драматургщ, тхакIуэщ, усакIуэщ, художникщ, щIэныгъэлIщ. 14. «ФIыцIэ» псалъэм и пIэкIи ар къэбгъэсэбэп мэхъу. 15. Ди унафэщIым селъэIуати си … къилъэгъуакъым. 17. Зи … исым и уэрэд жеIэ. 18. Зиусхьэн лъэпкъ. 21. Къуалэбзуушхуэ. 23. Iэщ цIыкIу. 24. Гъавэ, ерыскъыпхъэ хъумапIэ. 25. Пасэрей Iэщэ зэрыпыджэ. 26. Нэхъапэм нэгъуэщI уна-гъуэм ирагъэпIу щыта сабий. 27. Нало Заур и япэ IэщIагъэу щытар. 30. ГъущI быдэ лIэужьыгъуэ. 31. … зимыIэм дзажэпкъ иIэщ. 33. ГъэшхэкI. 36. Дзыдзэ лъэпкъым щыщ псэущхьэ. 39. IэмыкIуэлъэмыкIуэ. 40. Гъуэгу благъэ … нэхърэ, гъуэгу … благъэ. 41. Пасэрей адыгэ зауэлI щы-гъын. 42. ЗэдзэкIакIуэ. 44. Колхоз тхьэмадэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 45. Шэджэм районым хиубыдэ къуажэ. Къехыу: 1. Бгыпэ е псы Iуфэ лъагэ. 2. Сабийр … хъуащ. Е арэзы щIыгъуей, щхьэзыфIэфI. 4. ЦIыхухъуцIэ. Е ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэ « … и дыгъуасэхэр». 5. КъэгъэшыгъуафIэ. 6. Кавказым щыщ щIалэщIэм теухуауэ М. Лермонтовым итха поэмэ. 11. … зытеха къэбыр нэхъ IэфI мэхъу. 12. ГушыIэр … и щIасэщ. 13. Шым и плъыфэ. 14. Мывэ блын задэ. 16. Фадэ стэканыр зэ … хуэхъуауэ арщ. 17. Адыгэм зэрахьэу щыта псылъэшхуэ, гъуаплъэм къыхэщIыкIауэ. 19. Хэтхэ я унэ … тес? 20. Нартыху гъэлыгъуа хьэжыгъэ. 22. … цIыкIу бжьакъуэшхуэ. 28. … пыIэ. 29. «Хьэлэл фхузощIыр, фытIыси фышхэ, лы … сэ фхуэзгъэжьащ» — Пщынокъуэ БетIалрэ Мысачэ Петррэ яуса, ПащIэ Ахьмэд игъэзащIэ уэрэдым щыщщ. 32. Зи купсэр нэщI удз лIэужьыгъуэ. Яукъэбзурэ яшх. 34. Пасэрей гъущI пыIэ. 35. Муслъымэнхэм я махуэ лъапIэ. 37. Купкъ иныфI зэрылъ пхъэщхьэмыщхьэ. 38. Вы … е теплъэншэ, фэншэ. 43. … гъуэншэдж. Е мэлыц щабэ. 44. Насрэн ЖьакIэ Iуащхьэмахуэ езыIулIа тхьэпэлъытэ. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Гъатхэпэм и 23-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 2. Хьэкъ. 5.Чымпэ. 6. Аркъэн. 8. Мыл. 11. Пщыгъуэш. 12. Мэзыхьэ. 14. Бацэ. 15. Щам. 17. Къат. I9. Убых. 23. Табын. 24. Обамэ. 25. Джэлэс. 28. Къауц. 29. Тхъугъэ. 32. Бэшэч. 34. Лагъым. 36. ПщыукI. 38. Хъурмэ. 39. Ежьу. 41. Блэ. 42. Лэгъуп. 45. Хъарбыз. 46. Аргъынэ. 47. Рим. 48. Абазэ. 49. Индыл. 50. Джей. Къехыу: 1. Бытыр. 2. Хьэмшом. 3. Къалмыкъ. 4. Хьэзыр. 7. Iупэцабэ. 9. Хьэмбылу. 10. Щэбэт. 13. Хэхэс. 16. Ало. 18. Афэ. 20. Хъун. 21. Къашыргъэ. 22. Удж. 26. Ауз. 27. Пхъужь. 30. Ашэмыхъэ. 31. Дыхьэрэн. 32. БыхъутIэ. 33. Чы. 34. Лыжь. 35. Мел. 36. Пхъу. 37. КIапсэ. 40. Уэзрэдж. 41. Бжьамий. 43. Курыбэ. 44. Дыжьын.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26428.txt" }
ЩIалэгъуэ МакъыщIэ Си IэщIагъэм хэлъ гуапагъэм цIыхухэр ищIмэ арэзы… Лъэпкъ уэрэдхэм дихьэххэр, ар жызыIэну гупыж зыщI щIалэгъуалэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум уимыгъэгуфIэу къанэркъым. Гъатхэ жыг хадэу зэротIэпIыкI къыдэкIуэтей щIэблэм лъэпкъ къафэм, уэрэдым хуаIэ лъагъуныгъэр, уеблэмэ лъэпкъыбзэм ехьэлIа лэжьыгъэ мытыншхэми къимыкIуэту пэрыувэхэр диIэщ. ЩIэблэщIэм я мурадхэр, гуращэхэр зэдгъэщIэн мурадкIэ, «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым къедгъэблэгъащ уэрэджыIакIуэ щIалэщIэ, макъ шэщIа дахэкIэ адыгэбзэр зыгъэбзэрабзэ, хабзэри, цIыху лъагъуныгъэри, нэхъыжьым и лъапIагъри уэрэдкIэ ди цIыхухэм я деж нэзыхьэс Бекъул Аслъэн. Бекъул Аслъэн Езы Аслъэн зэрыжиIэмкIэ, зэрысабийрэ уэрэд жыIэным дехьэх, утыкур щимыщIэ лъандэрэ псэм къиIукI макъамэр къреш. Балигъ хъууэ IэщIагъэ къыхихын хуей щыхъуми, уэрэдым епцIыжыфакъым. Бекъулым ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал университетым уэрэд жыIэнымкIэ и къудамэм щеджащ. — Илъэсих ныбжьым ситу арагъэнт, — кърегъажьэ Аслъэн уэрэд жыIэным теухуа и хъыбарым, — пшахъуэм сыхэсу сыджэгуу, си анэм жиIэу зэхэсха дзапэ уэрэдхэр ину къисшу ди гъунэгъу цIыхубз, ЖьакIэмыхъу Жансурэт щызэхихам. Игу срихьауэ къыщIэкIынти, и гупым сишэну (абы «Нартшу» гъэсакIуэ гуп иIэт) къызжиIащ. Ар унэм къекIуэлIэжа си анэм щыжесIам, гузавэри, къуейщIеягъэ сщIауэ Жансурэт къысхуэгубжьа фIэщIщ, гузавэри и деж сишащ. Абы си анэр къытригъэхьащ и гъэсэнхэм сахигъэхьэну. Тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу, «Алло, зэчиифIэхэр къыдолъыхъуэ» зэпеуэм срагъэблагъэри, абы етIуанэ увыпIэр къыщысхьауэ щытащ. Мис абы яужькIэ сэри нэхъ сытегушхуэри, адыгэ уэрэдыжьхэр жысIэу, а унэтIыныгъэм гулъытэ нэхъыбэ хуэсщIу щIэздзащ. Сэ адыгэ, урыс уэрэдхэр зэхуэдэу жызоIэ, ауэ сыт щыгъуи си фIэщ хъужу хьэкъыу щытщ ди къафэмрэ уэрэдхэмрэ хуэдэ яIэу зы лъэпкъи дунейм зэрытемытыр — ар зэрыпхъуэж хъун хъугъуэфIыгъуэ щыIэкъым. Лъэпкъыр къулей зыщIщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъужщ. — Щапхъэ пхуэхъуауэ, уэрэд жыIэнкIэ, утыку итынкIэ зызэбгъэщхь щыIэ? — ЦIыху къэскIэ езым и дуней лъагъукIэ иIэжщ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, зыгуэрым зыщIебгъэщхьын, тIууанэу ущIыщытын щыIэкъым. ЦIыху къэс фIыгъуэ щхьэхуэ хэлъщ, адрейхэм зыми емыщхьу. Уи фIыпIэр къыпхуэгъэлъагъуэу, абыкIэ нэгъуэщIхэм уадэгуэшэфу щытын хуейщ. ПцIы хэмылъу, сэ езым гу зылъызмытэжу сыщыцIыкIум Нэхущ Чэрим зезгъэщхьыну сыхущIэкъуу щытащ, нобэми Тут Заур и уэрэд жыIэкIэм сыдехьэх. Ауэ сыт хуэдэ Iуэхуми уэ езым уи хъэтI ущиIэжын хуейщ. — Уэ дауэ уеплърэ, зэфIэкI зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэм ди республикэм зыщаужьыну Iэмал щагъуэту пIэрэ? — УхущIэкъумэ, къарууэ уиIэр епхьэлIэмэ, пхузэфIэмыкIын щыIэкъым, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, щэнхабзэм и пщIэр ехуэхащ. Къэралым пщIэ зыхуимыщIым цIыхухэми хуащIыркъым. Щапхъэу къэсхьынщ сэ езыр сыкъыщалъхуа Нарткъалэ. Абы ЩэнхабзэмкIэ унэ дэтыххэкъым, ар якъутащ. Абы и пIэкIэ спортым и унэ яухуэну я мурадщ. Iэпкълъэпкъыр къарууфIэ пщIыкIэ зэфIэкIыркъым, цIыхухэм я псэри, я акъылри зыужьыныгъэ хуэныкъуэщ. — Гу зэрылъыстащи, уи лъэпкъым и пщэдейм къызэрымыкIуэу уегъэгузавэ. НтIэ, нобэ адыгэу зызыбжыж дэтхэнэри зыгъэпIейтей, бзэр, хабзэр тхъумэжын папщIэ сыт псом япэу тщIэн хуейуэ къэплъытэр? — Псом япэрауэ, лъэпкъым щыщу зыкъэзылъытэр и бзэкIэ псэлъэжын, анэдэлъхубзэр къыщIэхъуэ щIэблэм зэрыIурилъхьэным хущIэкъун, лъэпкъым и фIыпIэр игъэлъэгъуэн хуейуэ и пщэ къыдэхуэу къысщохъу. Ди фIыр дэ езым дгъэлъэпIэжыфу щытыпхъэщ. — Аслъэн, уи мурадхэмкIэ укъыддэгуэшамэ ди гуапэу дынодэIуэнут. — Мурад куэд сиIэщ, икIи бзыщIарэ гъэпщкIуарэ абыхэм яхэткъым. Нэхъыбэр уэрэд жыIэным ехьэлIащ. «Си IэщIагъэм хэлъ гуапагъэм цIыхухэр ищIмэ арэзы, гъащIэ псом къыщызмылъыхъуэ сэ насыпу нэгъуэщI зы», — жиIэу адыгэ уэрэдыжьым хэтщ. Абы и фIыгъуэм нэхъыщхьэ щымыIэу къысщохъу, аращ сэ гъащIэ дамэ схуэхъур. Нобэрей гъащIэм къызэригъэуву уэрэдыжь куэд къагъэщIэрэщIэж, сэ ахэр ипэ дыдэу къызэрежьам хуэдэу жысIэну сыщIохъуэпс. Быдэу си фIэщ мэхъу ди щIалэгъуалэм щыщ куэд а уэрэдыжьхэм гукIи псэкIи зэрыдихьэхынур. Зызужьыну, сылэжьэну си мурадщ, къызэрызэхъулIэр гъащIэм къигъэлъэгъуэнущ. — Сыт яжепIэнт ди газетеджэхэм, псом хуэмыдэу ди щIалэгъуалэм? — Адыгэ ныпыр уи машинэм тегъэуакIэ адыгэ ухъуркъым, а ныпым и лъабжьэр, къежьапIэр ящIэжу, нэгъуэщI мыхъуми я бзэкIэ псалъэу, я хабзэр Iумпэм ямыщIу, ар къащIэхъуэ щIэблэм кIэрыху щымыIэу щIэину къыхуагъэнэн хуейуэ къызолъытэ. Ди цIыхухэм къагурымыIуэр зыщ: хамэр дэ къытхуейкъым. Дэ пщIэрэ щхьэрэ щыдиIэнур дыкъызыхэкIам я дежщ. Мис ар къагурыIуэу лъэпкъ Iуэхум тепсэлъыхьым къищынэмыщIауэ, Iуэху яхузэфIэхыу, къызыхэкIам сэбэп зэрахуэхъуным дэтхэнэри хущIэкъуу щытамэ, лъэпкъ Iуэхур ефIэкIуэнут. Епсэлъар Инэрокъуэ Данэщ. Ди хьэщIэщым Псэм къыбгъэдэкIыр нэрылъагъущ Лъэпкъ литературэм къэкIуэн имыIэу жызыIэ щыIэми, абы пызыщэхэр, литературэр я гум, я псэм щыщ Iыхьэ гуэру фIэкIа къызыщымыхъу щIалэгъуалэ щыIэщ. Литературэм и жыгыр гъункIэ зэрыхъунум тегузэвыхьхэм жаIэр лъабжьэншэкъым икIи псом япэу абы щхьэусыгъуэ хуэхъур анэдэлъхубзэм хуэфащэ гулъытэ зэримыгъуэтырщ. Банэм и пIэ банэ къокIэж, ауэ жыгым и пIэ сытым дежи жыг къыщимыкIэж щыIэщ… Аращ щIалэгъуалэм къалэмым хуэIэкIуэлъакIуэ къахэкIмэ, дащIыщыгуфIыкIыр. Хьэвжокъуэ Людмилэ Лъэпкъ литературэм и къудамэщIэхэм ящыщщ фэдгъэцIыхуну Хьэвжокъуэ Людмилэ. Ар 1986 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэ къыщалъхуащ. 1988 гъэм и унагъуэм и гъусэу Чернэ Речкэ Iэпхъуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, 2003 — 2008 гъэхэм ар щеджащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Филологие институтым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и къудамэм. 2008 гъэм КъБКъУ-м и аспирантурэм щIэтIысхьащ, «Бещтокъуэ Хьэбас и усыгъэр: мотив нэхъыщхьэхэр, жанр системэр, поэтикэр» диссертацэ лэжьыгъэр 2011 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыпхигъэкIащ. НобэкIэ Хьэвжокъуэ Людмилэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым къэбэрдей литературэмкIэ и секторым и щIэныгъэ лэжьакIуэщ. Зэрысабийрэ усэ етх, ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ («Нур», «Iуащхьэмахуэ», «Советская молодежь», нэгъуэщIхэми) мызэ-мытIэу къытехуащ. 2011 гъэм дунейм къытехьащ абы и «Гухэлъ налъэ» япэ усэ тхылъыр, 2012 гъэм — «Бещтокъуэ Хьэбас и усыгъэ дунейр» (урысыбзэкIэ) щIэныгъэ лэжьыгъэр. ЕхъулIэныгъэ пыухыкIахэр зыIэрызыгъэхьэфа пщащэр ди хьэщIэщым къедгъэблэгъащ и мурадхэмрэ Iуэху еплъыкIэхэмкIэ къыддэгуашэмэ ди гуапэу. — Сабиипсэр усэ тхыным дезыгъэхьэхам я гугъу уэзгъэщIынут? — Еханэ классым сыщIэсу ди егъэджакIуэм унэ лэжьыгъэ къыдитауэ щытащ, усэ, рассказ зытх къыфхэтмэ, къыздэфхь жиIэри. Гъатхэт, абдежым дерсым сыздыщIэсым щхьэгъубжэм сыдэплъри, усэ цIыкIу занщIэу зэхэслъхьащ. «Гъатхэм и мэ гуакIуэр бзухэм къащIихьащ, Тафэм щыщIэращIэу удзхэр къыхэкIащ», — жиIэу. ИужькIэ ар «Нур» журналым традзат. Сэ сызэреплъымкIэ, усэныр спкърытти, ди егъэджакIуэм къигъэушауэ аращ. СызэрыцIыкIурэ уэрэдыр фIыуэ солъагъу, уеблэмэ псэлъэн зэрыщIэздзэ къудейуэ, ар жысIэу щытащ. ГукIэ уэрэд куэд зэрысщIэм къищынэмыщIауэ, сэ фIыуэ зыхэсщIэрт абыхэм ящIэлъ псалъэхэр цIыхухэр зэрызэпсалъэм къызэрыщхьэщыкIыр, ар нэхъыфI гуэру зэрыщытыр. ЕпщIанэ классым сынэсыху тIэкIу сIэщIэхуауэ сыкъекIуэкIащ, итIанэ щIэздзэжри, зы мащIэкIэ сытхауэ аргуэру зэпызгъэури, илъэс зытIущкIэ сытхэххакъым, уеблэмэ афIэкIа сымытхэжын мурадхэр сиIэу сыщытащ. — Сытыт ар къызыхэкIар? — Си Iэрытххэр утыку къисхьэну сыукIытэрт. «Зыми езмыгъэлъагъунумэ, щхьэ сытхэн хуей?» жысIэу сызэупщIыжырт. Ауэ къызэныкъуэкъуу щыхуежьэм, усыгъэм и дунейм сыдихьэхыжри, сымытхэу зэрысхуэмышэчынур хьэкъыу спхыкIащ. Апхуэдэурэ екIуэкIыурэ «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм сыкIуэу щIэздзащ, абы щызгъэлъэгъуа си япэ усэхэр «Советская молодежь» газетым и «Псынэ» напэкIуэцIым, иужькIэ «Iуащхьэмахуэ» журналым къытехуауэ щытащ. Адыгэм псалъэжь иIэщ «Къуийм и пыIэр щхьэрыхумэ, укIытэжыркъым» — жиIэу (мэдыхьэшх), утыку сихьа хъуати, адэкIэ стхыр згъэлъэгъуэну нэхъ сытегушхуащ. — Усэ тхыныр хэт къыпхуигъэдэха, хэт абы уэ нэмыщI щыгуфIыкIар? — Ди жагъуэ зэрыхъущи, куэд щыIэщ литературэр фIыуэ зэрамылъагъум, зэрамыщIэм къищынэмыщIауэ, ар жыжьэуи гъунэгъууи къагурымыIуэу. Мис апхуэдэхэм гугъу срагъэхьащ. Ауэ, шэч хэмылъу, къыздэзыIыгъахэри мащIэкъым, арыншауэ сэ къызэхъулIэнIауи къыщIэкIынтэкъым. Си анэм сыкъыгуроIуэ, сыткIи сызыхещIыкI. Уеблэмэ, зы псалъэ сэ сызыхуэмыарэзыжу къэзгъэнамэ, и нэр зыфIэнэр аращ. Япэ дыдэу стхахэми иджырейхэми си анэм сыкъыхуоджэри, ар си чэнджэщэгъуфIщ. ЕгъэджакIуэхэри щымащIэкъым си гъащIэм, дэтхэнэми фIыщIэ хуэфащэу къызолъытэ. ШколымкIэ къыщебгъажьэмэ, япэ усэр сэзыгъэтхауэ щытар Медалы (Къущхьэ) Зоещ. АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ Абазэ Жану (дунейм ехыжащ, и Ахърэтыр нэху Алыхьым ищI!) сыт щыгъуи сытригъэгушхуэрт, зым нэхърэ адрейр нэхъыфIыжу къызэхъулIэу жиIэурэ. «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм и тхьэмадэ Хьэх Сэфарбии фIыщIэ хуэфащэщ, куэдкIэ сэбэп къысхуэхъуащ. ЩIэхъумаи бзыщIаи хэмыту къызэхъулIамрэ къызэмыхъулIамрэ зэIубзу къызжиIэрт, зызужьыну зи мурадым дежкIэ ар куэд и уасэщ. — Уи щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмрэ усэ тхынымрэ дауэ зэзэгърэ? — Абы теухуауэ сынасыпыфIэу зыкъызолъытэж: си лэжьыгъэмрэ си усэнымрэ зэдожьу, зым адрейм къыпищэу. ЕзгъэкIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр литературэращ зэхьэлIари, сызэрытхэр сэбэп мэхъу нэхъ куужу литературэр къызгурыIуэнымкIэ, зыхэсщIэнымкIэ. Уеблэмэ а тIур зэгуэпх мыхъун гуэру къысщохъу. Стхыхэр къызэрызэхъулIэр си IэдакъэщIэкIым еджахэм, си лэжьыгъэр зылъэгъуахэм нэхъ жаIэфыну къыщIэкIынщ, ауэ тыншу зэрызэдэсхьым шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым. — Зи гугъу тщIахэм къищынэмыщIауэ, сытым удихьэхрэ? — Зэманыр къызэрызэмэщIыкIым нэхъ щхьэусыгъуэ сиIэкъым, хъуэпсапIэр си бэщ. Нэпсеифэ зырызигъэплъыжу, гъуазджэм и лъэныкъуэ псоми сохъуапсэ, пэжщ, си ныбжьым пхуэмыгъэкъаруужын гуэрхэри хэтщ абы. Пшынэ еуэкIэ зэзгъэщIэну си нэ къокI. СыщыцIыкIум ди унэм зы пшынэ щIэлъти, езыр-езыруурэ макъамитI-щы къизгъэкIыу зезгъэсауэ щытащ. Псы ес хуэдэ, къэфэкIэ дахэ зиIэм сохъуапсэри, адыгэ къафэ лIэужьыгъуэхэр псори зэзгъэщIэну си мурадщ. КъищынэмыщIауэ, сызэрыцIыкIурэ сызэхъуапсэ, егъэлеяуэ пщIэ зыхуэсщI IэщIагъэхэм ящыщщ дохутырыр. ЦIыху гъащIэ зи IэмыщIэм изылъхьэжу, абыхэм сэбэп яхуэхъуфыр си дежкIэ икъукIэ лIыгъэшхуэ, псапэшхуэ зыпылъщ. Сэ фIыуэ къызгуроIуэ а лэжьыгъэр зэрымытыншыр, ауэ сыту фIы зыгуэрым сэбэп ухуэхъуну. Усэнымрэ абырэ зэпхьэлIэ хъуну къызолъытэ, дохутырхэр Iэпкълъэпкъым йоIэзэ, тхакIуэр — псэм. ТIум я дежкIи нэхъапэр цIыхурщ. — Людэ, сытым деж ущытхэр? Уигу хагъэщIа нэужь хьэмэ..? Иныкъуэхэм макъамэфIыр я хущхъуэщ, уэ-щэ? — Япэ дыдэрауэ, сызрихьэлIэ цIыхухэм къызат гукъыдэжымрэ гухэщIымрэ, къызэрысхущыт, сазэрыхущытым куэд елъытащ. ЦIыхум и гурыгъу-гурыщIэращ нэхъыбэу сызытетхыхьыр. НэIурыт гуэрхэм сащытетхыхьым дежи абы щIагъыбзэ щIэлъщ, щытыкIэ гуэр къигъэлъагъуэу. ЗэрыжыпIащи, куэдрэ къохъу уэрэдым сыщигъатхэ. Нэхущ Чэрим жиIэ «Уэ сыножьэ» уэрэдым седэIуа иужькIэ, абы пэджэж хуэдэу зы усэ стхащ. Театрым спектакль гъэщIэгъуэн сыщеплъамэ, тхыгъэфI седжамэ, къызатынкIэ хъунущ тхэн гукъыдэж. Зызумысыжынщи, нэхъыбэрэ сыщытхэр сигу хэщIа иужьщ. ЖызыIэ щыIэщ си усэхэр нэщхъейуэ, ауэ птхыр къохъулIэну ухуеймэ, къоузращ узытетхыхьынур. «Куууэ къыщоузым хуэфэщэн боус», — жеIэ Бещтокъуэ Хьэбас, щIэджыкIакIуэр къыумыгъэпцIэн щхьэкIэ, зыхэпщIэращ птхын хуейр. — ТхакIуэхэм хэт сымэ къахэбгъэщхьэхукIрэ? — Бещтокъуэм и творчествэращ сызэлэжьари, гурыIуэгъуэщ абы сызэрыдихьэхыр. Мыкъуэжь Анатолэ, Бицу Анатолэ сымэ я тхэкIэр спэгъунэгъущ. Къыхэзгъэщынт ПщыукI Латмир, МахуэлI Нэрзан, МэшбащIэ Исхьэкъ, Жылэтеж Сэлэдин сыми. Хьэх Сэфарбий «Лъагъуэр гъуэгум хуокIуэ» жыхуиIэ и романыщIэм соджэри (Iэрытхыу), псынэпс къабзэм хуэдэщ, бзэ дахэкIэ тхащ. Ар зытетхыхь щIыпIэхэм сэри сыщыIэу, дунейм и мэр къысщIихьэу къысщохъу. — ИлъэсипщI дэкIмэ дапхуэдэу зыплъагъужрэ? Зэманым дыщымышынэу дыгъэпсалъэ. — Зы махуэ фIэкI къыумыпсэуами, фIы гуэр блэжьам, упсэуащ. КIуащ БетIал «зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIыфыр аращ езыр зэманыр зейр» жеIэ, сэри сыарэзыщ абыкIэ. Зэман псоми я фIыгъуэ яIэжщ. СхужыIэнур зыщ — сыусэну къыщIэкIынщ сыт зэмани. — Уэ къызэрыплъытэмкIэ, гъащIэм щынэхъапэр сыт? ГъащIэр езыр сыт зыхэплъагъуэр? — Сэ си дежкIэ гъащIэр — сыкъэзыухъуреихь цIыхухэрщ. ЦIыхум хуэмыныкъуэ псэр мывэжьщ» — жеIэ ГъущIо Зариф. Захуэщ. ПэжыгъэкIэ къызбгъэдэтрэ сэ жысIэмрэ си хъуэпсапIэхэмрэ къызыгурыIуэ цIыху симыIэмэ, сщIэ псори сыт и уасэ? Къысхуэныкъуэ цIыху щыIэхукIэ — сынасыпыфIэщ. Апхуэдэхэращ си гъащIэр гъащIэ зыщIыжыр. Псом япэ изгъэщыр — пэжыгъэрщ. Арыншамэ, псори псыхэкIуадэщ. МахуэщIэ къэунэхум сыхуэгуфIэнуми сыхуэщыгъуэнуми куэдкIэ зэлъытар цIыхухэм къызат гукъыдэжырщ. Псом ящхьэжыр (псом хуэмыдэу цIыхубзым дежкIэ) унагъуэращи, сэри нобэкIэ сиIэ унагъуэм, си адэ-анэм, къыздалъхуахэм зэкIэ насып ядызолъагъу, адэкIэ сэ езым сиIэну унагъуэрщ си насыпыр зыхэлъынур. — Тхэн щIэзыдзагъащIэ щIалэгъуалэм, щIэныгъэм гу хуэзыщIахэм сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэнт? — ЦIыхум и псэм фIэфIращ IэщIагъэу къыхихын хуейр. Ухуэмейуэ, гукъыдэж хуимыIэу Iуэхум уеувалIэмэ, пщIэри къохъулIэнукъым, уэри гупсэхугъуэ уиIэнукъым. Уи щхьэ къыумыгъэпцIэжу уэ езым уи лъагъуэр къыхэпхмэ, итIанэщ зыгуэр щыпхузэфIэкIынур. Тхэхэм ехьэлIауэ жыпIэмэ, фэрыщIыгъэ литературэм ебгъэкIуалIэ хъунукъым, ар къыхаубыдыкIынущ, щIэджыкIакIуэр къыпхуэгъэпцIэнукъым. Псэм къыбгъэдэкIыр сытым дежи нэрылъагъущ. Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ. Зы къару гуэрым укъысхуешэ Зы къару гуэрым укъысхуешэ, Зы къару гуэрым узбгъэдеш. Ди зэхуаку гъуэгур нашэкъашэу Зэхэшыхьащи, ущозэш. Укъыщысхуишэм псыIэрышэм, Мывэ къыр лъагэр къыппоув. УщыфIэкIыфкIи уэ биишэм, Уи пащхьэр мэхъу мэз чыцэ Iув. ИтIани уи псэр тепыIэншэщ, — Сэ сызэрожьэр ищIэ хъунщ… Зы къару гуэрым укъысхуешэ, Ухыгъэм фIэфIщи усщIыгъун. *** Укъыздоджэгур, сыбдоджэгуж… Ауэ мы гъащIэр шы емылыджщ, — Ар къэбгъэпцIэну пщIымэ гупыж, И махуэ псори пщищIынущ дыдж. Укъыздэджэгуу сигу хыумыгъэщI. СиIэщ сэ хахуэу къысщхьэщыжын, — Сытыришэнщи лъагъуэ нэгъуэщI, ГъащIэ шы Iэлым силъ ищIэжынщ. *** Сэракъым уи нагъуэр, Сэракъым уи мыгъуэр… Сэ си нэхэр нащхъуэщ, Си щхьэцри щхьэцыгъуэщ. Сэ стетщ нэщхъеифэ, — ЕрагъкIэ согуфIэ, Си гущIэм илъ IэфIыр Псэ щIагъ щIызоуфэ. Уэ пфIэфIщ къамылыфэ, И нитIыр вындыфэу, КъыпхуитIу дзэлыфэр, Уи пшынэм къыдэфэу. Сэ си нэхэр нащхъуэщ, Си щхьэцри щхьэцыгъуэщ… Уи пшынэм и гъуагъуэр Щхьэ хъуа къыскIэлъыпхъуэ?! *** ЩIы фIыцIэм уафэ щIэгъэпщкIуакъым, Псы щIагъым пцIащхъуэхэр щемыс… Сыныщыппэплъэм — укъэкIуакъым, Ухуэныкъуакъым си нэмыс. Псым игъэзэжу дэжеякъым, Уэ ныпхуихьыжу си насып… Зигъэгувами, хэжеякъым Къыспэплъэу щытыр си бжэ щIыб. Уэракъым си пкъыр къэзыгъафэр, Уи псалъи си псэм нэмыIус… ЩIыр иумытIых, улъыхъуэу уафэ, Псым пцIащхъуэ уещэу уIумыс. *** КхъыIэ, пцIыкIэ сумыукI… Зэгуэр уигу къызэбгъэ хъумэ, Си псэ пцIанэу схуэмыхъумэм Къамэ папцIэкIэ къепыдж. Ухуейм, гущхьэр зэгуегъэч ГубжькIэ къэбутIыпщ фочышэм. Ауэ, гъуэгу щтырыгъу сытепшэу, КхъыIэ, пцIыкIэ сумыукI. *** Уэ къоджэм ищIэркъым, си усэ, Сэ жэщмыжейр зэрызгъэхъар, Уэздыгъэм щIыгъуу си псэр згъэсу, И сахуэр уэ зэрыпхэспхъар. Уэ къоджэм ищIэркъым, си усэ, Сэ махуэ кIыхьыр зэрысхьар, Зы псалъэм псалъэ кIэлъызгъэсу Псэ налъэкIэ зэрыспсыхьар. Уэ къоджэр хэтми, си усэ, Лъыгъэс хуабагъэу ныпхэслъхьар… Къыптеплъэ хъумэ си псэгъусэр, СхужеIэ фIыу зэрыслъэгъуар! ТхакIуэхэм я махуэр ягъэлъапIэ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зэрихьэу Налшык къалэ дэт сабий библиотекэм ТхакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Школ №29-м щIэс еджакIуэ цIыкIухэр тхакIуэ ныбжьыщIэхэм IущIащ а махуэм. Ар къызэрагъэпэщащ библиотекэм и унафэщI Хьэту Светланэ, абы щылажьэ Тхьэзэплъ Зарэ, егъэджакIуэхэу Гъубжокъуэ Ритэ, Токъмакъ Светланэ сымэ. Библиотекэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Ехъутэныдж Ларисэ зэIущIэр къыщызэIуихым, абы кърихьэлIахэр литературэм димыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу и псалъэмакъыр иришэжьащ. Абы къызэхуэсахэм иджыри зэ ягу къигъэкIыжащ сабийхэм яхуэтхэ тхакIуэкIуэмрэ я тхыгъэ купщIафIэхэмрэ. Къэбэрдей тхакIуэхэм ящыщу я цIэр къыхигъэщащ АфIэунэ Лиуан, Гъубжокъуэ Лиуан, Щоджэн Леонид, Хьэту Петр, Нало Заур сымэ, нэгъуэщIхэри. — Зи гугъу тщIахэм нэмыщI, тхакIуэ ныбжьыщIэхэри диIэщ, — къыпищащ абы, — икIи нобэ ахэр къытхуеблэгъащ. ТхакIуэ гъащIэм гъэщIэгъуэну, щIэщыгъуэу хэлъым ди хьэщIэхэр къытхутепсэлъыхьыну дащогугъ. Езыхэм тхэн зэрыщIадзам, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуам тепсэлъыхьащ зэIущIэм кърагъэблэгъа Дзэгъащтэ Азэмэт, Хьэвжокъуэ Людмилэ, Гугъуэт Заремэ сымэ. — ЦIыхур тхэным нэхъ щыдихьэхыр студент гъащIэм щыхэт зэманырщ. Сыт абы щхьэусыгъуэ хуэхъур? Езым и ныбжьхэм яхохуэри, и щэхуи, гурылъи тыншу иIуэтэф мэхъу. Тхэным гупыж хуэзыщIа цIыхум университетым зыщеужь, и творчествэми нэхъ зеубгъу. Сыту жыпIэмэ, балигъ гъащIэм хыхьагъащIэр зытетхыхьын Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр нэIурыт къыхуохъу. Дэри аращ — студент дыхъури, тхыгъэ къытщIэхъуэ хъуащ. ФIыуэ тлъагъухэми, тлъагъу мыхъухэми датотхыхь. Ди тхыгъэхэр «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм и унафэщI Хьэх Сэфарбий худохьри, хыдогъаплъэ. Хасэм хэтхэм я IэдакъэщIэкIхэр абдеж щызэпкърыдох. ЗэрытщIэщи, тхэн езыгъажьэ дэтхэнэми къызэрыщIидзэр усэщ. Зэман докIри хэт рассказым нэхъ хуэIэзэ мэхъу, хэти нэхъ жанрышхуэхэм зрапщыт, хэти усэм къыщызэтоувыIэ, — ядогуашэ къызэхуэсахэм Дзэгъащтэ Азэмэт. УсакIуэм и дунейр зэрыгуапэр Хьэвжокъуэ Людмилэ и гупсысэм къыхэщащ: — Усыгъэр цIыхум къыдалъхуу къызолъытэ. «УсакIуэ сыхъунущ» жыпIэу утIыскIэ къохъулIэнукъым. Псалъэ гуэрхэр пхузэдзылIэнущ, рифми хуэпщIыжыфынущ, ауэ мыхьэнэ пхущIэлъхьэнукъым. Апхуэдэ тхыгъэр щIэджыкIакIуэм игу дыхьэнукъым. Сэ сщIэркъым усэр къыщысхуэкIуэну дакъикъэри, щIыпIэри, къыщIысхуэкIуэну щхьэусыгъуэри. Ар куэдым къыхокI. Си нэм къыIуидзэ дахагъэр усэу къызогъэщIыж. Iэмал имыIэу зы къэхъугъэ гуэр куууэ зыхэпщIэн хуейщ, ар гуфIэгъуэу е гуауэу щрети. Сэ нэхъыбэу сыщытхэр нэщхъеиныр къыщыстекIуэхэм дежщ. Куэдми къызжаIэ си усэхэр «зэрынэщхъеирилэр». Абы къикIкъым, усакIуэр мыгуфIэфу — ар гъащIэм щогуфIыкI. УсакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр быным пызолъыт, ар цIыхум и къэгъэщIыгъэу зэрыщытым къыхэкIыу. — ЦIыхур сабий ныбжьым щитым деж нэхъ гурыхуэщ, — жеIэ усакIуэ ныбжьыщIэ Гугъуэт Заремэ. — А зэманым зыхилъхьэм къыдэкIуэтеиху хигъахъуэурэ, гупсысэм зрегъэужь. Ар псори тхылъыфIым деж къыщожьэ. Сэри сыцIыкIуу тхылъыр фIыуэ сагъэлъэгъуащ. Пщыхьэщхьэ къэс ди анэм дыкъригъэтIысэкIыурэ, хъыбар цIыкIухэм, таурыхъхэм, усэхэм къытхуеджэрт. Абы къыщежьащ бзэм и дахагъэр зыхэсщIэныр. Усэ тхын щIэздзащ школым сыщIэсу. Ауэ абы щыгъуэ стхыхэр усэ жыпхъэм иджыри иуватэкъым. Тхэным сыщыдихьэхыпар Хьэх Сэфарбий зи унафэщI «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм сыхыхьа нэужьщ. Абы япэу сызышауэ щытар Дзэгъащтэ Азэмэтт. Сэфарбий и чэнджэщхэм седаIуэурэ, си усэхэм къахуищI дагъуэхэм сакIэлъыплъыжурэ, усыгъэр нэхъ къысхыхьащ. ИджыпстукIэ, рассказ, теплъэгъуэ щыстх къысхуихуэми, си гум усыгъэр нэхъ щытепщэщ. Усэ сотх зыгуэрым егъэлеяуэ сигъэпIейтеймэ, сигъэгуфIэмэ е сигъэнэщхъеймэ. Псалъэмакъым къыхыхьащ еджакIуэхэри. Абыхэм жаIащ тхылъ гъэщIэгъуэнхэм еджэну зэрафIэфIыр, икIи гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ зиIэ тхыгъэхэр я гум нэхъ зэрыдыхьэр. Хьэгъэбанэ Аминэ къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ езыми тхыгъэ кIэщIхэр и Iэдакъэ къызэрыщIэкIым, и адэшхуэ-анэшхуэхэм ятетхыхьыну мурад быдэ зэриIэм. Абрэдж Мэрем, Къущхьэ Iэсият, ТIэхъу Алинэ сымэ лъахэм, цIыхугъэм, лъагъуныгъэм теухуа усэхэм къеджащ. Дзэгъащтэ Азэмэт и гушыIэ дахэм, республикэм щыцIэрыIуэ цIыхухэм Iэзэу зэрызапищIыжым еджакIуэ цIыкIухэри, нэхъыжьхэри зыIэпишащ. — Ди библиотекэм тхакIуэ, усакIуэ ныбжьыщIэхэр фыкъызэрытхуеблэгъар хуабжьу ди гуапэщ, — захуигъэзащ библиотекэм и унафэщI Хьэту Светланэ зэIущIэм и хьэщIэхэм, — сабийхэми фращIэщыгъуэу къыфIущIащ. Си гугъэщ, екIуэкIа псалъэмакъым абыхэм дахагъэу, хуабагъэу куэд къыхахауэ, нобэрей зэIущIэри куэдрэ ягу къагъэкIыжыну, тепсэлъыхьыжыну. — НэхъыжьыIуэхэр дымыгъэпIейтейуэ, нобэ тхакIуэ ныбжьыщIэхэр хьэщIэ фыщIэтщIам нэгъуэщI зы щхьэусыгъуи иIэщ, — дыщIигъуащ Светланэ и псалъэхэм Ехъутэныдж Ларисэ. Фэ нэхъ гушхуауэ я гупсысэ къызэрывахьэлIэфынур, тыншу, хуиту къызэрывэпсэлъэфынур, упщIэ яIэмэ ехьэкI лей хэмыту къызэрыватынур тщIэрт. Си гугъэщ, еджакIуэ цIыкIухэм нобэрей махуэм дерс щхьэпэ къыхахыну. Сурэтхэр зытрагъэхащ зэIущIэм и кIэухым къызэхуэсахэм фэеплъ . Мырзэкъан Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26432.txt" }
Тхэквондо Медаль зэмылIэужьыгъуэу 8 Гъатхэпэм и 15-18-хэм Псыхуабэ щекIуэкIащ тхэквондомкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ зэхьэзэхуэ зэIухарэ чемпионатрэ. Абы КИФЩI-мрэ Ипщэ федеральнэ округымрэ я команди 10, псори зэхэту спортсмен 250-рэ хэтащ. МахуитIкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм КъБР-м и командэ къыхэхам етIуанэ увыпIэр щызыIэригъэхьащ. Хэгъэрейхэм бжьыпэр яубыдащ. Зэпеуэхэм кърикIуахэмкIэ КъБР-м и гупым къаIэрыхьащ медаль зэмылIэужьыгъуэу 8: дыщэу 2, дыжьыну 3, жэзуи апхуэдиз. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта зэхьэзэхуэм дыщэ медаль къыщахьащ Дол Дианэрэ Дыгулыбгъу Аслъэнрэ. ЕтIуанэ хъуащ Дыкъынэ Мухьэмэд, Рэмэзан Залымджэрий, Элекуевэ Iэсият сымэ. Дыкъынэ Заурбэч, Маргъущ Замир, Мамбэт Альбинэ сымэ жэзыр къаIэрыхьащ. ЕхъулIэныгъэ зиIа спортсменхэр я гъэсэнщ тренерхэу Балэ Аслъэнбийрэ Шал Валерэрэ. Каратэ киокусинкай ЕхъулIэныгъэ яIэщ Невинномыск щекIуэкIащ каратэ киокусинкаймкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэ. Урысейм и щIыпIэ 15-м я спортсмен 200-м щIигъу зыхэта зэпеуэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэм къэралым и чемпионатым кIуэну Iэмал ягъуэтащ. КъБР-м и щIыхьыр яхъумащ Шэрджэс Заурбэч зи унафэщI Специализированнэ комплекснэ спорт школым и гъэсэнхэм. Абыхэм зэфIэкI яIэу зыкъагъэлъэгъуащ, икIи я тренерхэр ягъэукIытакъым. ГуащIэу екIуэкIа зэхьэзэхуэм ди спортсмен ныбжьыщIэхэм командэ зэпеуэм ещанэ увыпIэр щызыIэрагъэхьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ бжьыпэр яубыдащ Авестиян Карэн, Iэтэ Ислъам, Тхьэлыджокъуэ Темыркъан, Диденкэ Михаил, Къалэбэч Исмэхьил сымэ. ЕтIуанэ хъуащ Голишев Никитэ, Мусукаев Жамболэт, Шорэн Къаплъэн, Бекъан Хьэбас, Мэршэнкъул Къантемыр, Нагъучэ Исуф сымэ. Куэшмэн Аланрэ Диденкэ Анатолэрэ ещанэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ. Зэхьэзэхуэм и спортсмен нэхъыфI хъуащ Къармокъуэ Амурбэч и гъэсэн Iэтэ Ислъам. ЕхъулIэныгъэ къэзыхьахэм я тренерщ Къармокъуэ Амурбэч, Джинчарадзе Зураб, Кетоев Таймураз сымэ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26438.txt" }
Мы махуэхэм Гъатхэпэм и 30, щэбэт Урысейм щагъэлъапIэ вулканологым и махуэр 1867 гъэм урыс пащтыхь Александр ЕтIуанэм Аляскэр США-м ирищащ. «ЩIым и сыхьэт» акцэр ирагъэкIуэкI. А махуэм дунейм и дэнэ щIыпIи цIыху мелуанхэм зэгъусэу уэздыгъэхэр щагъэункIыфI, щIыуэпсым зэрыхуэсакъым, ЩIым къыдит хъугъуэфIыгъуэхэр зэрызэрагъэзахуэм я щыхьэту. Москва щекIуэкIынущ Урысейм и Либерал-демократ партым и съезд. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, уэрэджыIакIуэ Дэбагъуэ Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 72-рэ ирокъу. ТхакIуэ, публицист, жылагъуэ лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, АР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я журналист ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 67-рэ ирокъу. УФ-м щIыхь зиIэ и артист, уэрэджыIакIуэ Хъупсырджэн Албэч и ныбжьыр илъэс 57-рэ ирокъу. «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист ЖьэкIэмыхъу Маринэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 1 — 3, жэщым градус 1 — 2 щыхъунущ. Гъатхэпэм и 31, тхьэмахуэ 1991 гъэм Варшавэ ЗэгурыIуэныгъэм и Организацэр зэбграутIыпщыкIыжащ. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Пыл Iэуес и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу. Урысей эстрадэм и артист, УФ-м и цIыхубэ артист, Къэрал лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ, псапащIэ Къуэжьокъуэ Артур и ныбжьыр илъэс 44-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 1 — 11, жэщым градуси 3 — 6 щыхъунущ. Мэлыжьыхьым и 1, блыщхьэ Къуалэбзухэм я дунейпсо махуэщ ГушыIэм и махуэщ Урыс тхакIуэ щэджащэ Гоголь Николай къызэралъхурэ илъэс 204-рэ ирокъу. УэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артисткэ Щауэжь Розэ къыщалъхуа махуэщ. Адыгэ Республикэмрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ КIуэкIуэ Елизаветэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ Хуабэр махуэм градуси 8 — 14, жэщым градуси 6 — 10 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26441.txt" }
ГуфIэгъуэ пшыхьым Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр Iэтауэ щагъэлъэпIащ Налшык и Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд япэу къэпсэлъапIэр хуит хуащIащ икIи ар ди республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен балъкъэрхэм я махуэшхуэм и щIыхькIэ республикэм щыпсэухэм зэрызахуигъазэ тхыгъэм къеджащ. Абы итт илъэс 13-кIэ хамэ щIыналъэхэр зи псэупIэу щыта балъкъэр лъэпкъым къызэригъэзэжрэ блэкIа зэманым къриубыдэу экономикэ, социальнэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ зиужьыным хуэунэтIауэ абы ехъулIэныгъэ нэрылъагъухэр къызэрихьар. Апхуэдэуи Правительствэми Парламентми я лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу Къанокъуэр абыхэм гуапэу ехъуэхъурт. 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м ирагъэжьат балъкъэр лъэпкъым къыхуащIа мурад бзаджэр гъэзэщIэныр. Гъатхэпэм и 11-м Берие Сталиным жриIат балъкъэру 37103-рэ я хэкум зэрырашар. А хъыбарыр гущIыхьэ ящыхъуат цIыхубэм, псом хуэмыдэу хэкур зыхъумэу фронтым Iутхэм. Апхуэдэу балъкъэрхэм псэупIэ яхуэхъуащ Къэзахъстаныр (цIыху 16.684-м), Къыргъызстаныр (15.743-м), Узбекистаныр (419-м), Таджикистаныр (цIыхуи 4-м), Иркутск областыр (20-м), Ищхъэрэ щIыналъэ пхыдзар (14-м). Совет правительствэм 1956 гъэм гъатхэпэм и 13-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, а илъэс дыдэм щэкIуэгъуэм и 24-м КПСС-м и ЦК-м къищтащ «Къалмыкъ, къэрэшей, балъкъэр, шэшэн, ингуш лъэпкъхэм я лъэпкъ автономиер къызэгъэпэщыжыным и IуэхукIэ» унафэр. КъыкIэлъыкIуэ гъэм абы къару игъуэтащ, республикэми Къэбэрдей-Балъкъэр фIащыжри, балъкъэрхэм я хэкум къагъэзэжу щIадзащ. Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр гъатхэпэм и 28-м ягъэлъапIэ 1994 гъэ лъандэрэ. А махуэм республикэм и къалэхэми къуажэхэми гуфIэгъуэ пшыхьхэр щокIуэкI, ар лъэпкъым Iэтауэ егъэлъапIэ. Мы гъэм къызэрагъэпэща пшыхьым и концерт программэри щIэщыгъуэт. Абы хэтащ «Кабардинка», «Балкария», «Тэрч къэзакъхэр» ансамблхэр, Зеущэ Iэуесрэ «Ийман» уэрэджыIакIуэ гупымрэ, Сокъур Ольгэ, Гергокаевэ Хьэлимэт, Аттаев Сэхьид, Кабардоковэ Зухра, Жабоевэ Замирэт, Абэнокъуэ Рустам, нэгъуэщIхэри. Пшыхьыр «Моя Кабардино-Балкария» уэрэд цIэрыIуэмкIэ зэхуащIыжащ. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26443.txt" }
ЕфIакIуэ, «Адыгэ макъ» Гъатхэпэм и 26-м «Адыгэ макъ» лъэпкъ газетыр илъэс 90 щрикъу махуэр Iэтауэ Мейкъуапэ щагъэлъэпIащ. ЕкIуу къызэрагъэпэща дауэдапщэм кърихьэлIат Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат Натхъуэ Разиет, Адыгейм и Къэрал Советым — Хасэм и тхьэмадэ Нарожный Владимир, АР-м и Правительствэм и унафэщI КумпIыл Мурат, министрхэр, адыгэ интеллигенцэм и лIыкIуэхэр, хамэ къэрал къикIыжа ди къуэшхэр, КъБР-м, КъШР-м щыщ хьэщIэхэр. ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий жиIащ «Адыгэ макъыр» лъэпкъыбзэм, хабзэм, тхыдэм я хъумакIуэу зэрыщытыр икIи ахэр ефIэкIуэнымкIэ газетым и лэжьакIуэхэм зэпыу имыIэу лэжьыгъэшхуэ зэрагъэзащIэр. Пшыхьым кърихьэлIа журналистхэм, газетыр къыдэкIын зэрыщIидзэрэ зи гуащIэ хэзылъхьахэм абы фIыщIэшхуэ яхуищIащ, хъуэхъу псалъэкIи захуигъэзащ. «Адыгэ макъым» папщIэ псалъэ гуапэхэр жаIащ «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэрэ, нэгъуэщIхэми. Пшыхьым концертышхуэ щатащ Адыгейм и артист цIэрыIуэхэм. Инэрокъуэ Данэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26447.txt" }
Егъэджэныгъэр Правительствэм и нэIэм щIэтщ Республикэм егъэджэныгъэр къызэрыщызэгъэпэщам теухуауэ щытащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэр. Абы и пэщIэдзэм премьерым къыхигъэщхьэхукIащ мы Iуэхум икъукIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр: «Сабийхэр гъэсэнымрэ егъэджэнымрэ и нэIэ тригъэтщ ди республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. Дэ иджыпсту ди къалэн нэхъыщхьэ дыдэр щIэблэр гъуэгу тэмэмым тедгъэувэнырщ, щIэныгъэ нэсрэ IэщIагъэрэ едгъэгъуэтынырщ». Къызэхуэсахэр икъукIэ зэакъылэгъуу бгъэдыхьащ профессиональнэ пэщIэдзэ, курыт щIэныгъэ зэрырагъэгъуэтым зегъэужьынымкIэ хэкIыпIэхэм. Дызэрыщыгъуазэщи, къэралым и Iэтащхьэм гъэ кIуам и кIэухым Iэ щIидзащ «Урысей Федерацэм зэрыщрагъаджэм и IуэхукIэ» федеральнэ законым. Абы ипкъ иткIэ, пэщIэдзэ профессиональнэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт IэнатIэр зэхуащIыжащ икIи IэщIагъэ нэс зиIэ рабочэхэр гъэхьэзырынымкIэ программэр профессиональнэ курыт щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ IэнатIэм иратыжащ. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и унафэм щIэту профессиональнэ пэщIэдзэ, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 11 щыIэщ. IэщIагъэ лъагэ зиIэ рабочэу, курыт щIэныгъэ зиIэ IэщIагъэлIу абыхэм 2012 гъэм цIыху мини 3-м щIигъу ирагъэджащ. КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий къыхилъхьащ рабочэ IэщIагъэхэм хурагъэджэн папщIэ университетым къищтэ студентхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ящIыну. Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр аграрнэ университетым и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Щыхьмырзэ Мухьэмэди жиIащ осеменаторхэр, иджырей технологиехэм тету ягъэкI жыг хадэхэр зехьэнымкIэ IэщIагъэлIхэр, нэгъуэщI рабочэ IэщIагъэхэр егъэгъуэтынымкIэ кафедрэхэр къызэIухыным хэплъэн хуейуэ къызэрилъытэр. Языныкъуэхэм жаIащ еджапIэ щхьэхуэхэр зэгуагъэхьэжурэ, колледж теплъэ иратмэ нэхъ тэмэму къызэралъытэр. А псори зэхалъхьэжынурэ, гъэзэщIакIуэ властым и органхэм яубзыхунущ рабочэ IэщIагъэхэр къыхэзыххэм егъэджэнымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэр. А лэжьыгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхауэ щытынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэр зыхуэныкъуэхэм. ЗэIущIэм хэтахэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, языныкъуэ еджапIэхэм зыщыхурагъаджэ IэщIагъэхэм (юристхэм, бухгалтерхэм, налогхэх органхэм я лэжьакIуэхэм, нэгъуэщIхэми) щIэупщIэшхуэ яIэжкъым, ауэ иджыпсту яхурикъуркъым токархэр, наладчикхэр, нэгъуэщIхэри. Абы къыхэкIыу ЦIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ къэрал комитетым, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм, экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министерствэм я пщэ иралъхьащ а псори зэхагъэкIыу республикэр нэхъ зыхуэныкъуэ IэщIагъэхэр зыхуэдэмрэ зыхуеину IэщIагъэлIхэм я бжыгъэмрэ зэман кIэщIым къриубыдэу яубзыхуну. ЗэIущIэм апхуэдэу щытепсэлъыхьащ узыншагъэр хъумэнымрэ егъэджэныгъэмрэ я IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ зэрыхагъахъуэм пыщIа Iуэхухэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Марьяш Иринэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан, абы и къуэдзэ Абазэ Барэсбий, КъБР-м и вузхэм я лIыкIуэхэр. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26451.txt" }
Къанокъуэ Арсен: «Фэ щIалэгъуалэ минхэр къевгъэлащ» КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ республикэм и комиссэм и зи чэзу зэIущIэр. Ар къызэIуихри, Къанокъуэ Арсен псом япэу наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъ полицэм ехъуэхъуащ Урысейм Наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъынымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 10 зэрырикъумкIэ икIи а IэнатIэр икъукIэ игъуэу къызэрызэIуахар къыхигъэщхьэхукIащ. «Фэ лэжьыгъэшхуэ евгъэкIуэкIащ икIи фи егугъуныгъэм и фIыгъэкIэ щIалэгъуалэ минхэм я гъащIэр хъума хъуащ», — жиIащ абы. Республикэм и Iэтащхьэм УФ-м Наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъынымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и подполковник Соловьев Николай КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр, Управленэм и лэжьакIуэ зыбжанэм фIыщIэ тхылъхэр яритащ. Управленэм и унафэщI, полицэм и генерал-майор Кульбаев Руслан тепсэлъыхьащ наркотикхэр хабзэм къемызэгъыу зэрызэблагъэкIыр къызэпыудынымкIэ 2012 гъэм зэфIагъэкIахэм. Хэхауэ абы къиIэтащ аптекэхэм я Iуэхур. КъызэрыщIэкIымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым куэду къашэ ящэну памыубыд, ауэ наркотик папщIэу къагъэсэбэп хущхъуэ лIэужьыгъуэхэр икIи ахэр аптекэхэм щащэ. Республикэм и наркологие диспансерым щатхащ апхуэдэ хущхъуэ лIэужьыгъуэхэм еса цIыху щхьэхуэхэр. Кульбаев Руслан комиссэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ хабзэ мардэ пыухыкIахэр зэрыщымыIэм къыхэкIыу IэфIыкIэхэм халъхьэ Iущхьэ жылэу наркотик зыхэлъхэр куэду ящэу зэрыщытар. Ар Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэм хэтхэм я зэфIэкI зэхэлъкIэ къызэтрагъэувыIащ. Иджыри министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я къарур зрагъэуIупхъэщ аптекэхэм узыншагъэм зэран хуэхъу хущхъуэхэр щемыгъэщэным хуэунэтIауэ. АдэкIэ доклад зыщIам наIуэу къигъэлъэгъуащ наркотикхэм я лъэныкъуэкIэ республикэм щыIэ щытыкIэр. Наркотикхэр хабзэм къемызэгъыу зэрызэблагъэкIыр къызэпыудынымкIэ, щIэблэр а щхъухь бзаджэм емыгъэубыдынымкIэ лэжьыпхъэхэм ящыщу КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ наркотикхэм итхьэкъуахэр къызэрыхатхыкIыр егъэфIэкIуэныр, наркотикхэр зэзыхьэлIэу щIэзыдза цIыхухэр, псом хуэмыдэу, ныбжьыщIэхэр, пасэу сэтей къэщIыныр, а узыфэр зыпкърыхьахэр гъэхъужыным нэхъ жыджэру елэжьыныр. Апхуэдэу Къанокъуэ Арсен къигъэуващ цIыхухэр автобусхэмкIэ, таксихэмкIэ къезышэкIхэм я узыншагъэм кIэлъыплъ медицинэ лэжьакIуэхэр Iуэхум нэхъ егугъуу бгъэдыхьэну. «Мы Iуэхум нэхъ жыджэру къыхэфшэ КъБР-м ТранспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ, Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэхэр, зыхуэфащэ адрей ведомствэхэр. Дэ тэмэму тщIэн хуейщ цIыхухэм я гъащIэр зи IэмыщIэ итлъхьэ лэжьакIуэхэм я дуней тетыкIэр зыхуэдэр. Абыхэм наркотик зрихьэлIэу гурыщхъуэ зыхуэтщI къыхэкIмэ, икIэщIыпIэкIэ зыхуэфащэ псори зэфIэгъэкIыпхъэщ. Абы ехьэлIащ ди шынагъуэншагъэр». КъБР-м и Iэтащхьэм апхуэдэу жиIащ республикэм и еджапIэхэми гулъытэ хэха ягъуэтын зэрыхуейр. Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ къэрал комиссэм и Управленэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и унафэщI, полицэм и полковник Горьков Игорь УФ-м Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и унафэщIым и цIэкIэ наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъ органхэм зэрадэIэпыкъум папщIэ ЩIыхь тхылъыр КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, «Наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъ органхэм зэрадэIэпыкъум папщIэ» медалыр КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар, «Урысейм Наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъынымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэр илъэси 10 ирокъу» фэеплъ медалыр КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Ещыгуауэ Руслан, КъБР-м и прокурор Жариков Олег сымэ яритащ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26453.txt" }
КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм, «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Горянка», «Советская молодежь» газетхэм, «Iуащхьэмахуэ», «Литературная Кабардино-Балкария», «Минги Тау», «Солнышко», «Нур», «Нюр» журналхэм я редакцэхэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» программэхэр къэзыт телекомпанием, «Налшык» жылагъуэ радиотелекомпанием, «КъБР-м и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщэнымкIэ комплекс центр» къэрал щэнхабзэ IуэхущIапIэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэ» къэрал щэнхабзэ IуэхущIапIэм, «Тетраграф» ООО-м я лэжьакIуэхэр, КъБР-м и журналистхэм я зэгухьэныгъэр Урысейпсо къэрал телерадиокомпание федеральнэ къэрал предприятэ зэгуэтым и къудамэм — «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телерадиокомпанием и унафэщI Къэзанш Людмилэ Борис и пхъум хуогузавэ абы и тхьэмадэ Къэзанш Андулыхь Джырандыкъуэ и къуэр зэрылIам къыхэкIыу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26459.txt" }
ЗыхузэфIэкIынухэр фыдэIэпыкъуну къыволъэIу Илъэси 3 зи ныбжь КIурашын Алинэ цIыкIу уз хьэлъэ къеуэлIащи, илъэси 2 хъуауэ дохутырхэр йоIэзэ, ауэ зэкIэ сабийм и нэхэм зезыта лышхым пэлъэщыркъым. ТхьэмахуитI хуэдиз япэкIэ хъыджэбз цIыкIум и нэ лъэныкъуэр кърахащ, ауэ зэкIэ ари сэбэп хъуакъым. КIурашын Алинэ Аслъэн и пхъур кърагъэлын папщIэ ахъшэшхуэ трагъэкIуэдэн хуейщ. Абы къыхэкIыу сабийм дэIэпыкъуфыну щыIэхэм дыныволъэIу фхузэфIэкIым хуэдиз ахъшэ зэхуэфхьэсыну. Банк картэм и номерыр: 4276550017134423 Счетым и номерыр 40817810255031736441 «Урысейм и ХъумапIэ банк» ОАО, Ищхъэрэ-КъухьэпIэ банк Корреспондент счетыр 30101810500000000653 БИК 044030653; ИНН 7707083893 ОКПО 09171401; ОКО НХ 96130 КПП 783502001
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26460.txt" }
Лъэпкъхэр зэкъуегъэувэ «Кабардино-Балкария. Мир и мы» интернет-хэщIапIэм щIэуэ иджыри зы сайт къызэIуех. ХэщIапIэм и унафэщI Чернышовэ Маринэ къызэрыджиIамкIэ, абы и къалэн нэхъыщхьэр ди республикэм щыпсэууэ, адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ зэзыгъэщIэну гукъыдэж зыщIхэм ядэIэпыкъунырщ. Сайтым ихуэнущ махуэ къэс цIыхур зыхуей хъу, унагъуэм щызекIуэ псалъэуха къызэрыгуэкIхэр. Iуэхугъуэ пыухыкIар къищтэу, абы ехьэлIа псалъэу 100-м нэблагъэ къыщихь щыIэнущ. Япэ щIыкIэ ахэр гукIэ зрагъащIэмэ, ахэр къыщыхьа псалъэухахэми тыншу ухэзэгъэн хуэдэу, дерсхэр ухуауэ къэкIуэнущ. «КъызыхэкIа лъэпкъым емылъытауэ, ар дэтхэнэ зы цIыхуми сэбэпышхуэ хуэхъунущ. Адыгэ е балъкъэр унагъуэ уихьа нэужь, псалъэуха зыбжанэ езыхэм я бзэкIэ къыбжьэдэкIыныр сыт и уасэ! Ар хэти гуапэ щыхъунущ. Мы Iуэхум и мыхьэнэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэр нэхъри зэкъуэгъэувэныр, зым и дунейм адрейр нэхъ тыншу хэгъэгъуэзэныр», — жеIэ Чернышовэ Маринэ. Адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ езыр-езыру зэгъэщIэнымкIэ дунейм щыяпэ «интерактивнэ Iэмалхэр» къыхилъхьащ Бжьэдыгъукъалэм (Краснодар) дэт университетым щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и къудамэм и аспирант Хьэмдэхъу Анзор. ШЭРЭДЖ Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26462.txt" }
Мэлыжьыхьым екIуэкIыну зэIущIэхэр Япэ дивизион ТIощIрэ еханэ джэгугъуэ Мэлыжьыхьым и 2 (гъубж) «Торпедо» (Мэзкуу) — «Спартак-Налшык» (Налшык) «Волгарь-Газпром» (Астрахань) — «СКА-Энергия» (Хабаровск) «Салют» (Белгород) — «Металлург-Кузбасс» (Новокузнецк) ТIощIрэ ебланэ джэгугъуэ Мэлыжьыхьым и 8 (блыщхьэ) «Урал» — «Сибирь» «Енисей» — «Томь» «Нефтехимик» — «Балтика» (Калининград) «Шинник» — «Химки» «Петротрест» — «Торпедо» Мэлыжьыхьым и 9 (гъубж) «Металлург-Кузбасс» — «Ротор» «СКА-Энергия» — «Салют» «Спартак-Налшык» — «Волгарь-Газпром» ТIощIрэ еянэ джэгугъуэ Мэлыжьыхьым и 13 (щэбэт) «Сибирь» — «Енисей» Мэлыжьыхьым и 15 (блыщхьэ) «Химки» — «Урал» «Балтика» — «Шинник» «Уфа» — «Нефтехимик» Мэлыжьыхьым и 16 (гъубж) «Волгарь-Газпром» — «Торпедо» «Салют» — «Спартак-Налшык» «Ротор» — «СКА-Энергия» «Томь» — «Металлург-Кузбасс» ТIощIрэ ебгъуанэ джэгугъуэ Мэлыжьыхьым и 22 (блыщхьэ) «Урал» — «Балтика» «Торпедо» — «Салют» «Шинник» — «Уфа» «Петротрест» — «Волгарь-Газпром» Мэлыжьыхьым и 23 (гъубж) «Енисей» — «Химки» «Металлург-Кузбасс» — «Сибирь» «СКА-Энергия» — «Томь» «Спартак-Налшык» — «Ротор» ЕщэщIанэ джэгугъуэ Мэлыжьыхьым и 29 (блыщхьэ) «Салют» — «Волгарь-Газпром» «Ротор» — «Торпедо» «Томь» — «Спартак-Налшык» «Нефтехимик» — «Петротрест» Мэлыжьыхьым и 30 (гъубж) «Сибирь» — «СКА-Энергия» «Химки» — «Металлург-Кузбасс» «Балтика» — «Енисей» «Уфа» — «Урал»
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26467.txt" }
СурэтыщI цIэрыIуэм и дерс Бахъсэн къалэм гъуазджэхэмкIэ и сабий школ №1-м и егъэджакIуэхэмрэ гъэсэнхэмрэ папщIэ абы мастер-класс щитащ сурэтыщI цIэрыIуэ Мэзло Эдуард. Италием, Инджылызым, нэгъуэщI щIыпIэхэми зи IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъэгъуа, Европэм и къэрал зэхуэмыдэхэм щыIэ уней гъэтIылъыгъэхэм зи лэжьыгъэхэр щахъумэ художникым и IэщIагъэм и щэхухэм хигъэгъуэзащ сабийхэр. Ар ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ композицэм и ухуэкIэм, творческэ гукъэкIым и хуитыныгъэм, тхылъымпIэм яхутрищIыхьа сурэтхэмкIи и псалъэхэр щIигъэбыдащ. КъыкIэлъыкIуэу сабийхэм лэжьыгъэ яритащ. Абыхэм ящIа сурэтхэр яхузэпкърихащ, гулъытэ зыхуащIыпхъэхэр къыхигъэщхьэхукIащ, нэхъыфIхэр къыхихащ. Мэзлом къыхигъэщащ сабийхэм гупсысэ куу зэраIэр, ар ящIа сурэтхэм къызэрыхэщыр. ЗэIущIэм кърихьэлIа адэ-анэхэм фIыщIэ хуащIащ сурэтыщIым, и зэман емыблэжу къазэрыхуеблэгъам, къыхаха IэщIагъэм я бынхэр зэрытригъэгушхуам папщIэ. ТЫIЭЩ Эллинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26469.txt" }
Дыщэри дыжьынри Налшык къашэ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Бубукин Валентин и фэеплъу футболымкIэ V дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ зэпеуэ Сочэ и «Дыгъэмыс» комплексым щекIуэкIащ. Налшык и «Спартак» клубым зыщызыгъасэ, 1999 гъэм къалъхуа футболистхэм абы япэ увыпIэр къыщахьащ. Налшыкдэсхэм дыщэ медалхэр къаритащ дунейпсо класс зиIэ арбитр цIэрыIуэ, СССР-м и Футбол арбитрхэм я ассоциацэм и япэ президент, профессор Шкловский Эдуард. КIэух зэпеуэм хьэр-хуэрэгъу щызэхуэхъуащ Налшык и командэхэр икIи «Спартак»-м пенальтикIэ текIуэныгъэр къыфIихьащ «Спартак-Налшыкым». Апхуэдэ щIыкIэкIэ, зэхьэзэхуэм дыщэри дыжьынри къыщызыхьар налшыкдэсхэрщ. А зэпеуэм топджэгу нэхъыфI щыхъуащ «Спартак» ПФК-м и футболист Шевцов Артём. Шумахуэ Идар гъуащхьауэ нэхъыфIщ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26472.txt" }
Чикобавэ Арнольд Адыгэхэм пщIэ хэха яхудощI ди анэдэлъхубзэр джыным, абы зиужьыным елэжьа ди мылъэпкъэгъу щIэныгъэлIхэм. Апхуэдэхэм ящыщщ Чикобавэ Арнольд Степан и къуэр — куржы бзэ щIэныгъэлI цIэрыIуэр, профессорыр, лингвист-теоретик лъэщыр, иберий-кавказыбзэхэр джынымкIэ IэщIагъэлI телъыджэу щытар. ЗэфIиха апхуэдэ лэжьыгъэшхуэмкIэ Чикобавэ и цIэр ди бзэ щIэныгъэ тхыдэм къыхэнащ. Сэ си насыпым къихьащ а еджагъэшхуэр сцIыхуну. Чикобавэ Арнольд Чикобавэ Арнольд 1898 гъэм и гъатхэпэм Сачикобао къуажэм (Куржы) къыщалъхуащ. Еджэным хуэнэхъуеиншэ щIалэ цIыкIум щIэныгъэм хуэщIа зэчиишхуэ зэрыбгъэдэлъым пасэу гу лъатащ. Кутаиси дэт куржы гимназиер ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, абы еджэным щыпищащ Тбилиси къэрал университетым и философие факультетым бзэхэр щадж и къудамэм. ЗэфIэкI ямылей зыбгъэдэлъ студентыр университетым куржыбзэмкIэ и кафедрэм къагъэнэжащ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр иригъэкIуэкIын папщIэ. И егъэджакIуэхэр къызэрыщыгугъам хуэдэу, 1929 гъэм абы ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ и диссертацэ лэжьыгъэр икIи филологие щIэныгъэхэм я доктор хъуащ. А зэманым университетым щылэжьа щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэжу щытамкIэ, лъэпкъ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыуха IэщIагъэлIхэм ящыщу Чикобавэщ япэу доктор лэжьыгъэр зыгъэзэщIар. Илъэс зыщыплI нэхъ дэмыкIыу Ар-нольд къыфIащащ Тбилиси университетым и профессор цIэри. 1941 гъэм Чикобавэ хъуащ Куржым (Грузием) ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и академик. ЩIэныгъэ зэфIэкIышхуэ къызыкъуэзых зэпыт щэджащэм цIэ лъагэхэмрэ дамыгъэ лъапIэхэмрэ къыхуагъэфащэрт. Ар Куржым щIыхь зиIэ и щIэныгъэрылажьэщ (1946), Дагъыстаным, Къэбэрдей-Балъкъэрым (1968), Абхъазым (1978), Шэшэн-Ингушым (1983) щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Берлин дэт, Гумбольт и цIэр зезыхьэ университетым щIыхь зиIэ и доктор (1960) цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ, Инджылызым и филологхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ (1968), Грузием и къэрал саугъэтыр тIэунейрэ хуагъэфэщащ (1971, 1990), Ломоносовым (1951), Джавахишвили (1980) я цIэкIэ щыIэ саугъэтхэр къратащ. И япэ щIэныгъэ лэжьыгъэр щитха зэманым къыщыщIэдзауэ псэуху, Чикобавэ зы махуи зэпигъэуакъым и творческэ лэжьыгъэр. Абы и къалэмыпэм къыпыкIащ куржыбзэкIэ, урысыбзэкIэ, нэгъуэщI европей бзэхэмкIэ тхауэ монографие 15, къэхутэныгъэ лэжьыгъэу 500-м щIигъу. Абыхэм я нэхъыбапIэр бзэ щIэныгъэм и дыщэ фондым хэлъщ. Хуабжьу унэтIыныгъэ куэд къызэщIаубыдэрт Арнольд иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм. Абы иджырт иджырей бзэ щIэныгъэм и теориер, фIэхьэлэмэтт бгырыс лъэпкъхэм я бзэхэр зэрызэхэлъыр, абыхэм я зыужьыкIэр, куржы литературэбзэм и тхыдэр къэугъуеиным хунэсырт. Руставели Шота «Къаплъэныфэ зыщыгъ зауэлI» и поэмэр, куржы литературэм и классикхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрытха бзэр иджащ Чикобавэ, а къэхутэныгъэхэр зи лъабжьэ тхыгъэхэри къыдигъэкIащ. ЩIэныгъэлIыр зэманышхуэкIэ елэжьащ «Куржыбзэм и псалъэгъэнахуэ» псалъалъэр къыдэгъэкIыным. Томи 8 хъууэ дунейм къытехьа а лэжьыгъэ купщIафIэр ялъытащ лъэпкъым и щэнхабзэ-жылагъуэ ехъулIэныгъэ ину, абы и хъугъуэфIыгъуэ мыкIуэщIу. Франджым щыщ бзэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Лафон жиIауэ щытащ: «Куржыбзэм, кавказыбзэхэм елэжь IэщIагъэлIхэм я мызакъуэу, бзэ щIэныгъэм зи гъащIэр епха дэтхэнэми къыгуроIуэ Чикобавэ и псалъалъэр ехъулIэныгъэ лъагэу зэрыщытыр. Куржым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием, езы лингвист щэджащэм фIыщIэ яхудощI, апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIахам папщIэ». 1936 — 1985 гъэхэм Чикобавэ и унафэм щIэтащ Куржым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием хыхьэ Бзэ щIэныгъэ институтым иберий-кавказыбзэхэр джынымкIэ и къудамэр. Кафедрэми къудамэми я лэжьыгъэхэр зэтезыублауэ щытар аращ. 1950 — 1952 гъэхэм Чикобавэ Арнольд Бзэ щIэныгъэхэмкIэ институтым и унафэщIщ. Чикобавэ и жэрдэмкIэ икIи абы и унафэм щIэту Тбилиси университетым къыщызэIуахауэ щытащ кавказыбзэхэмкIэ кафедрэ. А бзэ гупыр джынымкIэ ар щыяпэт Совет Союзым. Кавказыбзэхэм ящыщу блы куууэ яджын щыщIадзащ университетым. Абыхэм хагъэхьауэ щытащ адыгэбзэри. А лъэхъэнэм Тбилиси щеджауэ, абы и аспирантурэм я щIэныгъэм щыхагъэхъуауэ щытащ ди анэдэлъхубзэм елэжь щIэныгъэлI куэдым. Сэри абыхэм сащыщащ. ЩIэныгъэлIым бгъэдэлъ фIыщIэхэм хохьэ иберий-кавказыбзэхэр джыныр ноби дунейпсо щIэныгъэм щынэхъапэхэм зэращыщыр. А бзэ гупыр зыдж щIэныгъэлIхэм иджы уащрохьэлIэ США-ми Франджыми, Инджылызми Польшэми, Германиеми Швециеми, Норвегиеми, Голландиеми… ЩIэныгъэлI щыпкъэм гулъытэшхуэ зыхуищIа унэтIыныгъэхэм ящыщщ сыт хуэдэ бзэми я зэхуэдэу хэлъ Iуэхугъуэхэр. Дэтхэнэ бзэми епхьэлIэ хъуну апхуэдэ Iуэху еплъыкIэ зиIэфхэр филологиекIэ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ цIыху хэхахэрщ. Апхуэдэт Чикобавэ Арнольд. Бзэм и теорием ехьэлIауэ абы итха зэреджэ тхылъхэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIащ: урысыбзэкIэ, китаибзэкIэ, чехыбзэкIэ, болгарыбзэкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. Дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ академикхэм жаIэрт Чикобавэ хуэдэ бзэ щIэныгъэлI лъэщ лIэщIыгъуитI-щым зэ къалъхуу зэрыарар. Бгъэдэлъ щIэныгъэ куур къалъытэу, абы щхьэкIэ жаIэрт: «Куржы бзэ щIэныгъэр дунейпсо утыкум изыша, кавказыбзэхэм я зэхэлъыкIэ хьэлэмэтыщэм гу лъезыгъэта цIыху щэджащэщ Чикобавэ Арнольд. КъинэмыщIауэ, Чикобавэ и фIыгъэщ совет бзэ щIэныгъэм и пщIэр дунейпсо щIэныгъэ утыкум къызэрыщиIэтыжар». 1985 гъэм дунейм ехыжауэ щытащ щIэныгъэлI щыпкъэр. Абы и лIэныгъэр гущIыхьэ ящыхъуауэ щытащ Кавказым ис цIыху куэдым, дуней псом и щIэныгъэлIхэм, сыту жыпIэмэ Чикобавэ куржы щIэныгъэлI къудей мыхъуу, кавказпсо, дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ еджагъэшхуэт. ЛIэным куэд имыIэжу Куржы гъуазджэмкIэ музейм Чикобавэ тыгъэ хуищIауэ щытащ езым ихъумэ сурэт дахэ зыбжанэ, и библиотекэр. КъыдэкIыну и тхылъхэм къапэкIуэну ахъшэр езыр къыщалъхуа и къуажэм дэт курыт школым хуагъэхьыну, Окроканы щиIэ лъапсэр щылэжьа институтым иратыну унафэ ищIащ. И уэсятым ипкъ иткIэ, Чикобавэ а щIыпIэм щыщIалъхьэжащ, и щхьэгъусэ Киасашвили Тамарэ и кхъащхьэм и гъунэгъуу. Бзэ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм зи гъащIэ псор тыхь хуэзыщIа къэхутакIуэ емызэшым и лъэужьым ирикIуа гъэсэн куэд къыщIэнащ. Абыхэм я дежкIэ Чикобавэ щIэныгъэм и къигъэхъуапIэ къудейтэкъым, атIэ а цIыху телъыджэм щIалэгъуалэр хуигъасэрт дуней тетыкIэм, псэукIэм и хабзэхэм. Арнольд и гъащIэр щапхъэ зыхуэхъуахэм щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр къахэкIащ, я лъэпкъ бзэ щIэныгъэм хэлъхьэныгъэ инхэр хуащIрэ я ущиякIуэ Iэзэр, унэтIакIуэ IэкIуэлъакIуэр ящымыгъупщэу. ТАУ Хьэзешэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26477.txt" }
ЩIыхь псалъэ Зи ныбжьыр илъэс 90 ирикъуахэр гъэлъэпIэным теухуауэ Налшык къалэ администрацэм къыхилъхьа псапащIэ Iуэхум пащэ. Администрацэм и Iэтащхьэ къулыкъур пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Кладько Игорь, Хэку зауэшхуэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ Советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа, щIыпIэ администрацэм щIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Бахтияровэ Евгение сымэ мы махуэхэм щыIащ зауэм хэта Неделькэ Ксение и деж. Ветераным и гъащIэ гъуэгуанэ хьэлъэм хуэфэщэн щIыхь псалъэкIэ зыхуагъэза нэужь, абы иратыжащ Урысей Федерацэм и Президентым къыбгъэдэкIа хъуэхъу тхыгъэр. И ныбжьым емылъытауэ иджыри жан цIыхубзым апхуэдэ гулъытэ зыдилъэгъуа унафэщIхэр гуапэу иригъэблэгъащ икIи зэрыцIыху насыпыфIэр къыхигъэщащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа икIи мыбы щыпсэуа нэхъыжь жьыщхьэ махуэм ибзыщIакъым и лъахэм, и гъащIэр щихьа Налшык къалэм пищIын зэрыщымыIэр. «Зауэм и гузэвэгъуэ куэд зи нэгу щIэкIа ветераным дежкIэ мамырыгъэм нэхъапэ щыIэкъым», — жиIащ абы. Жанхъуэт Зузэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26485.txt" }
Зухра и гухэлъ «Къуршхэм я бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм Москва къыщызэригъэпэща «Кавказым и макъ» зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ ди лъахэгъу уэрэджыIакIуэ Кабардоковэ Зухра. Хъыджэбзым и оперэ уэрэджыIэкIэм цIыхухэм я гулъытэри я щытхъури къихьэхуат. И текIуэныгъэр Зухра Къэбэрдей-Балъкъэрым хуигъэпсащ: «Псом япэу ар си щIыналъэщ, фIыуэ солъагъу. Сыхуейт зи пщIэр армырами лъагэ ди республикэм и щIыхьыр ди ехъулIэныгъэ гуэркIэ нэхъри тIэтыну», — жеIэ абы. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ и колледжыр къэзыуха пщащэм мы зэманым и щIэныгъэм щыхегъахъуэ музыкэмкIэ Урысей академиеу Гнесинхэм я цIэр зезыхьэм. «Уэрэд жыIэным си макъыр зэрыхуэщIам иджыри школым сыщIэсу гу лъитауэ щытащ си япэ гъэсакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Таукеновэ Галинэ. ИлъэсипщI ныбжьым ситу утыку сыкъихьэу щIэздзащ. Еджэным къыдэкIуэу, уэрэд жыIэным зыщыхуэзгъасэрт щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ колледжым. Апхуэдэуи фортепианэмкIэ классибл къэзухащ. Зыхэслъхьэ щымыIэу фIыуэ слъагъурт ди лъэпкъ къафэхэр. Си сабиигъуэр абыхэм теухуауэ щытащи, си адэ-анэми егъэджакIуэхэми я гулъытэм папщIэ фIыщIэ яхузощI«, — пищащ Зухра. Зухра и псэм нэхъ пэгъунэгъур оперэ уэрэдхэрщ, абы къыхэкIыуи классикэ макъамэ пшыхьхэм жыджэру хэтщ. «Кавказым и макъ» зэхьэзэхуэм къыщихьа етIуанэ увыпIэр езым и ехъулIэныгъэу, апхуэдэуи къедаIуэхэм я гулъытэу къелъытэ. Мы зэманым абы и мурад нэхъыщхьэщ еджапIэр къиухыныр. ИтIанэ-щэ? «Италием сыкIуэныр си хъуэпсапIэщ, сыхуейт абы щыIэ оперэ театр лъэщхэм си макъ щызгъэIуну», — жеIэ Зухра. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26487.txt" }
Iуащхьэмахуэ — насыпым и Iуащхьэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щIэх-щIэхыурэ зыщызыгъэпсэху, лыжэкIэ къежэхыным дихьэх Шуляк Евгенийрэ (Москва щыщщ) Чаниловэ Оксанэрэ (Саратов) Iуащхьэмахуэ и щыгум щызэрыцIыхуащ. НыбжьыщIэхэр фIыуэ зэрылъэгъуащ икIи мурад ящIащ Кавказым и бгы нэхъ лъагэ дыдэм я хьэгъуэлIыгъуэр щыдахыну. Евгенийрэ Оксанэрэ я дэфтэрхэр Тырныауз къалэм и ЗАГС-м щIалъхьат, абыхэм я нэчыхь тхылъыр метр 3500-рэ хъу лъагапIэм тету яритыжащ Iуащхьэмахуэ район администрацэм и ЗАГС-м и къудамэм и унафэщI Акаевэ Людмилэ. ЗыгъэпсэхуакIуэхэр, щIыпIэм щыпсэухэр, хьэщIэхэр зэхуэсат хьэгъуэлIыгъуэ гъэщIэгъуэным, щIэщыгъуэм еплъыну. «Мир» станцыр щэкI хъар хужьрэ удз гъэгъахэмкIэ гъэщIэрэщIат. ЗэрышагъащIэхэм зэрыжаIэмкIэ, Iуащхьэмахуэ фIыуэ ялъагъу икIи нэгъуэщI щIыпIэ я хьэгъуэлIыгъуэр щрагъэкIуэкIыну зэи ягу къэкIакъым. Абыхэм щапхъэ зытрахар 2010 гъэм Iуащхьэмахуэ щызэрыша я ныбжьэгъухэрщ. «Ахэр насыпыфIэ хъуащ, хъуэхъуу хужаIар ялъысащ, ягу иралъхьэ псори къадохъу. Къуэ цIыкIу яIэщ. Iуащхьэмахуэ дэри насыпкIэ къытхуэупсэну догугъэ», — къыджиIащ Шуляк Евгений. Чегет и хуейхэм ящыщ зым ит шхапIэм щагъэуват гуфIэгъуэ Iэнэхэр. Абы къыпэрыкIыурэ хьэщIэхэр Кавказ уэрэдхэмрэ урысей эстрадэ макъамэхэмрэ къыдэфащ. ТАРИМ Алисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26491.txt" }
ШэджыхьэщIэ Марие и щIэин лъапIэр Зэманыр гъащІэм и уэчыл лъэщщ. Абы хуэсакъыу ехъумэ гъащIэм и зэхъуэкІыныгъэ хьэлэмэтхэр, абы хэт цIыхухэм яIа зэфІэкІ инхэр. Зи лъэпкъым хуэфащэ пщІэ хуэзыщІыжыф дэтхэнэ цІыхури мыкІуэдыж пэлъытэщ къэкІуэнухэм я дежкІэ. ЩIэныгъэ лэжьакIуэ телъыджэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ШэджыхьэщІэ Марие Щамил и пхъум бзэ щIэныгъэмкIэ и акъылым къилэжьа хъугъуэфІыгъуэхэр лъэпкъым игъащІэкІэ дэгъуэгурыкІуэнущ, ефІакІуэу, багъуэу, и мыхьэнэм зиубгъуу. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэми япэ лъэбакъуэр нэхъ щычыгъуейуэ щытщ. ЩІэблэм щІэныгъэ куу етыныр къалэн зыщызыщІыжа ШэджыхьэщІэ Марие и дэтхэнэ къэхутэныгъэри къызыхуэтыншэу къызэригъэпэщырт. Лэжьыгъэм зи гур ета бзылъхугъэм цIыху пэжым пщІэшхуэ хуищІырт, ауэ езыр и щхьэ щхьэкІэ щІыхьи пщIэ леи зэи лъыхъуэртэкъым. Тыншу щытакъым абы и гъащІэ гъуэгур. Ар къыщалъхуащ Аруан куейм хыхьэ Псынабэ къуажэм. БлэкІа лІэщІыгъуэм и 30 гъэхэм ди къэралым щекІуэкІа хабзэншагъэр Марие и унагъуэми къылъэІэсащ. «ЦIыхубэм и бий» цIэр къыфIащри, а зэманым ахэр зэрыунагъуэу Къэзахъстаным ирашауэ щытащ. Унагъуэм къатепсыха насыпыншагъэм, абы кърикIуа гугъуехь мыухыжхэм Марие и шыпхъуиплІымрэ и дэлъхумрэ ихьащ. Хамэ щІыпІэм имыкІуадэу къикІыжар адэ-анэ тхьэмыщкІэмрэ бынхэм ящыщу Марие закъуэрэщ. Сабийуэ илъэгъуа гукъутэгъуэр абы и нэгу зэи щІэкІыжакъым. Щалъхуа хэкур игъуэтыжа нэужь, Марие щІэтІысхьащ Псынабэ дэт курыт школым. Ар къиухри, Налшык дэт педучилищэм еджэным щыпищащ. ИлъэсиплІ программэр илъэсищым зригъэхъулІэфащ ШэджыхьэщIэм икIи училищэр къызэриухыу, и къуажэм пэщІэдзэ классхэр щригъаджэу хуежьащ. Абдеж техьащ ар щІэныгъэ куум хуэзыша гъуэгушхуэм. Къэбэрдей пединститутым урысыбзэмрэ литературэмкІэ и къудамэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. ЕхъулІэныгъэфІхэр иІэу ар къиухри, Къэхъун дэт курыт школ №1-м 5 -10-нэ классхэр щригъэджэну ягъэкІуащ. Зи лэжьэкІэр, бгъэдэлъ щIэныгъэ куур зигу ирихьа куей унафэщІхэм ар ягъэуващ Старэ Шэрэдж дэт курыт школым и унафэщІу. Школхэм щылэжьэхукІэ, Марие и мурад нэхъыщхьэу щытар щІэныгъэ нэс, гъэсэныгъэ екIу зыбгъэдэлъ щIэблэ къэгъэхъунырщ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ бзылъхугъэр абдеж къыщыувыIакъым. 1960 гъэм ШэджыхьэщІэр щІэтІысхьащ Лъэпкъ школхэм я щIэныгъэ-къэхутакIуэ институту Москва щыIэм и аспирантурэм. Урысыбзэ пэжырытхэр сабийхэм зэрегъэджыпхъэр зи лъабжьэ и кандидат лэжьыгъэр 1963 гъэм ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ Марие. Хэкум къэкIуэжа нэужь, ар методисту щыIащ егъэджакІуэхэм я щІэныгъэм щыхагъахъуэ институтым, иужькIэ педучилищэм урысыбзэмкІэ и егъэджакІуэу ягъэкІуэжащ. Абы къыкIэлъыкIуащ КъБКъУ-м и егъэджакІуэу, кафедрэм и доценту лэжьэныр, доктор диссертацэр Москва щыпхигъэкІыныр, профессору, кафедрэм и унафэщІу щытыныр. ЩІэныгъэм и зыужьыныгъэм телэжьэныр дуней тетыкІэ зыхуэхъуа ШэджыхьэщIэ Марие зэпымыууэ иригъэкІуэкІащ бзэр джыным епха къэхутэныгъэхэр, къэпщытэныгъэхэр. А щІыкІэм тету ар хуэкІуащ бзэ щІэныгъэм нэхъапэм зэи къыщамыгъэлъэгъуа Іуэхугъуэм: «псалъэ къэхъукІэ лІэужьыгъуэм и инвариант» езым зыфІищам. Къэхутэныгъэхэмрэ ахэр гъэунэхунымрэ епха лэжьыгъэхэр иублащ икІи абы и акъылыр здынэсам къыпэкІуам пщІэшхуэ щигъуэтащ щІэныгъэм. ЩIэныгъэлI лэжьакIуэхэм Къэрал саугъэтыр етынымкІэ Эксперт комиссэм и унафэщІым къыбгъэдэкIыу КъБКъУ-м и ректору щыта Лъостэн Владимир 1990 гъэм къыхуагъэхьа тхыгъэм итт: «СССР-м ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министерствэм и методикэ управленэ нэхъыщхьэм хъыбар фегъащІэ ШэджыхьэщІэ Марие Щамил и пхъум «Содержание и приемы обучения русскому словообразованию: выход в лексику, грамматику, орфографию» и тхылъыр СССР-м и ВДНХ-м зэрыщагъэлъэгъуамкIэ икІи ар куэдым ягу зэрырихьамкIэ. Ар щІэныгъэ-методикэ къэхутэныгъэшхуэу къызэрытлъытэри жыдоIэ». Апхуэдэу ШэджыхьэщIэм и къалэмыпэм къыщIэкIа тхылъым саугъэт къыхуагъэфэщауэ щытащ. ШэджыхьэщІэм и къэхутэныгъэр нэхъ куууэ джа хъун папщІэ, КъБКъУ-м лабораторие къызэІухын хуейуэ къалъытащ. КъыкІэлъыкІуэ илъэсым лабораториер Институт хъуащ. Марие иубзыхуащ псалъэ къэхъукІэр сабийхэм яджкІэрэ, сыт хуэдэ бзэри нэхъ куууэ зэращІэн, псалъэхэм я тхыкІэр гукІэ зрагъащІэ мыхъуу, акъылкІэ къызэращтэн хабзэщІэ. ЕджапІэм щІэсхэмрэ егъэджакІуэхэмрэ гурыІуэгъуэ ящызыщІ «Урыс псалъэ» зыфІища тхылъхэр 5 — 7-нэ классхэм папщIэ къыдигъэкІащ. ШэджыхьэщIэм и «Инвариантыр» узыгъэгупсысэ, пэжыр къозыгъэгъуэтыф лэжьыгъэщ. Илъэс куэд щIауэ структурнэ методикэмкIэ урысыбзэр еджапIэ куэдым щрагъэдж, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэу. ШэджыхьэщIэм и методикэр бзэ щIэныгъэм и зы унэтIыныгъэ хъуащ. Абы хиша гъуэгущIэм адэкIи зригъэубгъун мурад ищIри, а методикэр хипщащ адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ. Абы и унафэ ткIиймрэ и чэнджэщ Iущымрэ ди гъуазэу, структурнэ методикэмкIэ адыгэбзэр сабийхэм щедгъэджащ япэ щIыкIэ Псыгуэнсу дэт курыт школ №2-м. Иджыпсту а методикэм тету анэдэлъхубзэр щадж Урыху дэт курыт школым. ШэджыхьэщIэм къигъэщIа дэтхэнэ махуэри лъэпкъым и ехъулIэныгъэм хуэгъэпсауэ щытащ. Марие хузэфІэкІащ хьэрыпыбзэри куууэ зригъэщІэн, КъурІэным къеджэфу зригъэсэн. Ахэри къехъулІащ. Пхъэм къыхэщІыкІа мэжджыт Псынабэ дэзыщIыхьа и адэм и щапхъэм тету, а жылэ дыдэм мэжджыт-мыдрисэ щиухуащ Марие. КъищынэмыщІауэ, и адэшхуэм илъэсищэ и пэкІэ зэпича гъуэгуанэм ирикІуэжри, хьэж ищІащ. Бзэ щІэныгъэм теухуауэ абы хузэфІэкІар къэлъытэгъуейщ. ГъащІэм щекІуэкІ зэхъуэкІыныгъэр псынщІэу къэзыпхъуатэ щІэныгъэ лэжьакIуэшхуэм лъэужьыфI къытхуигъэнащ. Марие зэрыщымыIэжрэ блэкIа илъэсхэм къагъэлъэгъуащ ар зыхэхъукIа лъэхъэнэм щиIыгъа увыпIэм и инагъыр. Зэрихьа хахуагъэм щIыгъуу, дигу къинащ абы иIа цIыхугъэ лъагэр, и псэ къабзагъэр. ХЪУРЕЙ Лусенэ, Псыгуэнсу дэт курыт школ №2-м и егъэджакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26494.txt" }
Гугъуехьым щышынэу адыгэр нобэм къэсакъым Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зи чэзу зэIущIэу иджыблагъэ Налшык щекIуэкIар теухуауэ щытащ Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм я сабийхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и школхэм зэрыщеджэну, абыхэм я Iуэхухэр нэхъыфIу дэгъэкIа зэрыхъуну щIыкIэхэм. ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий ар къыщызэIуихым жиIащ мы Iуэхур япэ игъэщыпхъэу зэрыщытыр. — Хасэм хэтхэр нобэкIэ дызыгъэгузавэр Сирием щекIуэкI зэпэщIэтыныгъэр нэхъ кIащхъэ мыхъуу, кIуэ пэтми зэрызэщIэплъэрщ. Ди лъэпкъэгъухэм я бынхэу хэкум къэкIуэжауэ щеджэхэм, дяпэкIэ къэкIуэжынухэм я Iуэхур зыхуей хуэгъэзэнырщ къалэн нэхъыщхьэр. ЩIэблэ къызыщIэмыхъуэр, абы гъуэгу езымытыр лъэпкъ хъуркъым, — дыщIигъужащ и псалъэхэм Сэхъурокъуэм. БжыгъэкIэ къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Сирием къыщыхъуа гузэвэгъуэм къыхэкIыу хэкум къэзыгъэзэжахэр цIыху 487-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщу Урысей Федерацэм и паспортыр зиIэр цIыху 99-рщ. Хамэ къэрал кърашыжа сабийхэм адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ зэрамыщIэм къыхэкIыу, школым щаIэ дерсхэм къакIэроху, абы къищынэмыщIауэ, 11-нэ классыр мы гъэм къэзыуххэми я Iуэхур хэплъэгъуэщ — бзэр фIыуэ зымыщIэ цIыкIухэм Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр ятыныр къатехьэлъэнущ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар яхузэфIэмыкIмэ, адэкIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэну Iэмал яIэнукъым. Сэхъурокъуэм и псалъэхэм къыхигъэщащ гузэвэгъуэ зылъэгъуа сабийхэм еджэныр зэкIэ къатехьэлъэнкIэ, гукъыдэжышхуэ хуамыIэнкIэ зэрыхъунур къазэрыгурыIуэр, абы къыхэкIыу мы илъэсым школыр къэзыуххэм Iэмалу щыIэмкIэ ядэIэпыкъун хуейуэ къызэрилъытэр. — Ахэр иджыри сабийщ, нобэ дэ защIэдгъакъуэмэ, пщэдей къэгушхуэжынщи, бзэри щIэныгъэри нэхъыфIу къащтэжынщ, дэ ди лъэныкъуэкIэ я гъуэгур зэхуэдмыщIу, абыхэм кIуапIэ еттын хуейщ, — пищащ Сэхъурокъуэм. ЗэIущIэм къызэрыщагъэлъэгъуамкIэ, хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я щIэблэм щыщу мы гъэм цIыху 21-м школыр къаух. КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан къыщыпсалъэм жиIащ, мы илъэсым школыр къэзыуххэм я Iуэхум хуабжьу зэригъэгузавэр. Сабийхэм ящыщу цIыхуитI арэзы хъуащ Зыуэ щыт экзаменыр ятыну, адрейхэм школыр къызэраухамкIэ тхылъ иратынымкIэ сэбэп зэрахуэхъуфынур къигъэнэIуащ Семэным. НыбжьыщIэхэмрэ адэ-анэхэмрэ зыхуагъазэу, щхьэж зыщIэтIысхьэну и мурадыр къащIэу, адэкIэ унафэ пыухыкIа къащтэну министрым къыщыхилъхьэм, къызэхуэсахэр абыкIэ арэзы хъуащ. ДАХ-м и къэпщытакIуэ комиссэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Анатолэ и псалъэм къыхигъэщащ сабийм школыр къызэриухамкIэ тхылъыр иIэмэ, Зыуэ щыт къэрал экзаменыр имыту, университетым щIэтIысхьэфын хуэдэу зы илъэскIэ щагъэхьэзыру иIэ курсхэм зэрахущIэгъэтIысхьэнур, университетым щеджэну гуращэ зимыIэхэр а тхылъхэмкIэ колледжхэм къызэращтэнури дыщIигъужащ. Къагъэлъэгъуа Iуэху еплъыкIэхэм япкъ иткIэ, сабийхэмрэ адэ-анэхэмрэ яIущIэну, епсэлъэну гуп, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Налшык къалэ администрацэм, КъБКъУ-м я лIыкIуэхэр хэту къызэрагъэпэщу, сабийхэр здэкIуэнумрэ я бжыгъэмрэ зэхэхауэ яубзыхуу, адэкIэ хабзэм къызэрезэгъыу зэрахузэфIэкIкIэ зэрадэIэпыкъунур жиIащ Сэхъурокъуэм. Зэхуэсым зи гугъу щащIахэм ящыщщ гъэмахуэм а школакIуэ цIыкIухэр, ныбжькIэ зэщхьэщыхауэ, зыгъэпсэхупIэхэм зэрыщагъэIэнури. Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм дэт школ №1-м щылажьэ Мысырджэн МуIэед апхуэдиз гузэвэгъуэ зылъэгъуа сабийхэм зымащIэкIэ зыщIагъэкъуэн папщIэ, я къуажэм яшэурэ я нэгу зрагъэужьыну зэрыхьэзырыр, ахэр зэрагъэгушхуэн, я гукъыдэжыр къызэраIэтын куэд зэраIэр и псалъэхэм къыхигъэщащ. «Джайлыкъ» зыгъэпсэхупIэм и унафэщI Атабиев Мухьэмэд жиIащ сабийхэм папщIэ ар щIыпIэфI дыдэу зэрыщытыр, илъэсипщIым нэблэгъауэ цIыкIухэм я зыгъэпсэхугъуэр къызэрызэрагъэпэщыр. Акъыл зэхэдзэ ящIам ипкъ иткIэ, Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ, иджыри зэ хэплъэжу, щыIэм я нэхъыфIыр, еджэнымкIи, зыгъэпсэхунымкIи, зэрагъэшхэнуми теухуауэ сабийхэм я Iуэхур зэпэщу къызэрикIыным хуэдэу къыхахыну, Iэмал зэриIэкIэ ахэр зы щIыпIэм щагъэIамэ нэхъыфIу къызэрилъытэри, цIыкIухэм я нэгу зегъэужьыным ехьэлIа программэ яIэн зэрыхуейри дыщIигъужащ абы. Къызэхуэсахэм къыкIэлъыкIуэу и гугъу ящIащ хэкум къэзыгъэзэжахэм я Iуэху зытетымкIэ зэреупщIым. Абы ипкъ иткIэ, хэкум къэзыгъэзэжахэм яIэ IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ къыхатхыкI. Сэхъурокъуэм дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэри къыхуриджащ, къэкIуэжахэм я унэкъуэщ хэтмэ, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми зыщIагъэкъуэну, зыхуагъэзэну. — Ахэр къыхатхыкIа нэужь, къалэ, къуажэ администрацэхэр зэхуэтшэсынурэ къэкIуэжахэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ елъытауэ лэжьакIуэ хуейхэм яIудгъэщIэнущ, — жиIащ зэIущIэм и кIэухым Сэхъурокъуэм. — Илъэс гугъу къытпэщытщ, ауэ гугъуехьым щышынэу адыгэр нобэм къэса? Мыпхуэдэхэм деж лъэпкъыр зэкъуэувэу, япэ игъэщыпхъэр ищIэжу, жагъуэгъугъэгуфIэ дымыхъуу, лъэпкъым и щхьэ Iуэху зэфIигъэкIын хуейщ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26497.txt" }
Журналистхэр ягъэпажэ Урысейм Тезырхэр ирегъэхьэкIынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ «На страже порядка» журналист зэпеуэм нэхъыфIу къыщалъытахэр щагъэлъэпIа зэхыхьэ гуапэ. Ар езыгъэкIуэкIа, Управленэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Федоров Василий къыхигъэщащ Урысей ФСИН-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щы- Iэм и лэжьыгъэр зыхуэдэр зэIухауэ цIыхухэм я деж нэхьэсыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. — Фи фIыгъэкIэ ди IэнатIэхэм я Iуэху къызэгъэпэщыкIэм, УИС-м и лэжьакIуэхэм ятеухуа хъыбарыфIхэр хэIущIыIу мэхъу. Ди къулыкъущIэхэмрэ цIыхубэмрэ нэхъ зэгъунэгъу фощI журналистхэм, — жиIащ Федоровым. Республикэм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьыгъэр нэхъ зэпкърыхауэ, пэжыр и лъабжьэу къэзыгъэлъэгъуа журналистхэм КъБР-м щыIэ УФСИН-м и щIыхь тхылъхэр иратащ. Апхуэдэ гулъытэ хуащIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр ГТРК»-м и корреспондентхэу Гериев Сэфар, КIэбышэ Эльмирэ, «Адыгэ псалъэ» газетым хабзэхъумэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Уэрдокъуэ Женя, «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Горянка» газетхэм я корреспондентхэу Мэлбахъуэ Зинаидэ, Тикаевэ ФатIимэ, Байсиевэ Марзият, «Налшык» ОРТК-м и редактор Токумаевэ Лейлэ сымэ. Журналист гупым къабгъэдэкIыу Мэлбахъуэ Зинаидэ УФСИН-м и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ. «Фи гулъытэр гуапэ тщыхъуащ. Илъэс куэд хъуауэ дызэдолажьэ икIи къыхэгъэщыпхъэщ IэнатIэр зэIухауэ зэрыщытыр. Сыт щыгъуи Iэмал щыIэщ тезырыр езыхьэкIхэм я гугъуехьхэр зыхащIэу, гъуэгу захуэм теувэжыным хуэзыущийуэ ябгъэдэт, зи къалэныр хьэлэлу езыхьэкI фи лэжьакIуэхэм уатетхыхьыну», — жиIащ абы. Федоров Василий журналистхэм яжриIащ творческэ ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэмэ зэригуапэр. АдэкIи я зэдэлэжьэныгъэм къызэрыпащэнур и фIэщ зэрыхъури къыхигъэщащ. Зэбар Мадинэ, Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26500.txt" }
Нобэ Сабий тхылъым и дунейпсо махуэщ. Сабийхэм таурыхъхэр яхуэтхынымкIэ цIэрыIуэ хъуа Андерсен Христиан Ганс (1805 — 1875) къыщалъхуа махуэм техуэу ягъэлъапIэ. Белоруссиемрэ Урысеймрэ щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ Аутизм узыфэм теухуауэ цIыхухэм нэхъыбэ къегъэщIэным и дунейпсо махуэщ 1911 гъэм ЦIагъуэ Нурий Истамбыл адыгэбзэкIэ къыщыдигъэкIащ «Гъуазэ» газетым и япэ номерыр. 1948 гъэм КIэрашэ Тембот СССР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ. Журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфIэунэ Раисэ къыщалъхуа махуэщ. БзэщIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэм я доктор Абыдокъуэ Iэуес къызэралъхурэ илъэс 70 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 — 13, жэщым градуси 8 — 9 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26503.txt" }
КъэралитIым я зэкъуэтыныгъэ Урысеймрэ Белоруссиемрэ я махуэгъэпсхэм илъэс зыбжанэ и пэкIэ иджыри зы махуэ лъапIэ къихутащ — мэлыжьыхьым и 2-м ягъэлъапIэ абыхэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр. 1996 гъэм президентхэу Ельцин Борисрэ Лукашенкэ Александррэ я къэралхэр зэрызэкъуэувэмкIэ Москва зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIауэ щытащ. Зы илъэс нэхъ дэмыкIыу, мэлыжьыхьым и 2-м, «Белоруссиемрэ Урысеймрэ я Союзым и IуэхукIэ» зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ, икIи ар къэралыгъуитIым я зэхущытыкIэм къаруущIэ хуэхъуащ. А махуэм ирихьэлIэу еджапIэхэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм, IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщызэрагъэпэщ. Ахэр псом хуэмыдэу хуэгъэпсащ къэралитIыр зэрыубыдыным и мыхьэнэр щIалэгъуалэм ягурыгъэIуэным. А махуэшхуэр нобэ щагъэлъапIэ белорус 700-м нэблагъэ зыдэс Налшыки. Пщыгъуэш Iэсият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26507.txt" }
Марьяш Иринэ Iуэхугъуэ зыбжанэ къыхелъхьэ Бюджет IэнатIэм хэхъуэхэр къыхузэщIэгъэуIуэнымкIэ, финанс, бюджет, налог хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынымкIэ Правительствэм и комиссэм и мыгъэрей япэ зэ- IущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Марьяш Иринэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2012 гъэмрэ 2013 гъэм и щIышылэ-мазае мазэхэмрэ КъБР-м и бюджет зэгуэтым хэхъуэхэр къыхузэщIэгъэуIуэнымкIэ планыр зэрагъэзэщIам, апхуэдэу КъБР-м и бюджет зэгуэтым къыIэрыхьэ хэхъуэр нэхъыбэ щIынымкIэ лэжьыпхъэхэм. Марьяш Иринэ ЗэIущIэр къыщызэIуихым Марьяш Иринэ къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ налогхэр къызэрыхахыр егъэфIэкIуэным ведомствэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэгурыIуэу икIи зэдэIэпыкъужу елэжьын зэрыхуейм. Мы Iуэхур хэхауэ и нэIэм щIигъэтщ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. Япэ вице-премьерым зэрыжиIамкIэ, хэхъуэр зэрызэхуахьэс щIыкIэм, налогыу къаIэрыхьэр зыхуэдизым иджыри зэ хэплъэжыпхъэщ, сыту жыпIэмэ, абыхэм къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ УФ-м и Президентым нэгъабэ накъыгъэм къыдигъэкIауэ щыта указхэр гъэзэщIа зэрыхъунур. «Псори зэхэту а Iуэхухэр гъэзэщIа хъун папщIэ КъБР-м сом меларди 6,8-рэ хуэдиз иIэн хуейщ. Абы щыщу сом мелард 1,7-р КъБР-м и бюджет зэгуэтым мы гъэм щыхухахащ. А ахъшэм и нэхъыбапIэр — сом мелард 1,5-м нэблагъэр — республикэм езым къызэригъэпэщынущ, сом мелуан 320-р зэрызэгурыIуам тету, федеральнэ бюджетым къиутIыпщынущ, муниципальнэ ахъшэри сом мелуани 7,7-рэ мэхъу», — жиIащ Марьяш Иринэ. Абы къыхигъэщхьэхукIащ иужьрей бжыгъэр икъукIэ зэрымащIэр, къыкIэлъыкIуэ зэIущIэхэм къытрагъэзэжу абы хэплъэжыпхъэу къызэрилъытэр, сыту жыпIэмэ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм хагъэхъуэну, сабий куэд зиIэ унагъуэхэм щIапIэхэр хухахыну къапэщытщ. Къэпсалъэм зэрыжиIамкIэ, 2013 гъэм, къыкIэлъыкIуэ 2014 гъэм я бюджетхэм щытепсэлъыхькIэ, ипотекэ кредитхэм проценткIэ щхьэщатыкIым щыщ ахъшэм и Iыхьэр хуапшыныжын папщIэ сом мелуан 32-рэ къызэрамыгъэпэщу хъунукъым. «Сыт хуэдэу ахъшэр зэдгъэзэхуэну дыхущIэмыкъуми, хэхъуэхэм я хэкIыпIэр сыт хуэдизу дегугъуу къэдмылъыхъуэми, УФ-м и Президентым и нэгъабэрей указхэр дгъэзэщIэн папщIэ, сом меларди 5 хуэдиз къызэщIэдгъэуIуэн хуейуэ къытпэщытщ. Ар икъукIэ ахъшэшхуэщ икIи федеральнэ центрым и дэIэпыкъуныгъэ хэмыту дыпэлъэщыну къыщIэкIынукъым. Дауэ мыхъуми, тэмэму дызэрылажьэр нэрылъагъу къэтщIын икIи ахъшэм и хэкIыпIэщIэхэр къэдгъуэтын хуейщ», — жиIащ Марьяш Иринэ. Урысейм НалогхэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Хьэжы Валерий къигъэлъэгъуащ 2012 гъэм КъБР-м и бюджет зэгуэтым и хэхъуэ Iыхьэм налог ахъшэу сом меларди 8-рэ мелуан 345-рэ мин 300-рэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, 2011 гъэм елъытауэ сом мелуан 900-кIэ нэхъыбэ, къызэрыIэрыхьар. Апхуэдэу щыт пэтми, налогхэр къыхэхынымкIэ планыр процент 89,5-кIэ гъэзэщIа хъуауэ аращ. Налог лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэхэмкIэ, псом япэу акцизхэмкIэ, мылъкум техуэ налогымкIэ, цIыхухэм я хэхъуэм хуэзэ налогымкIэ зыхуагъэувыжауэ щыта къалэнхэр яхуэгъэзэщIакъым. Ауэ, налогхэмкIэ къулыкъущIапIэм и лIыкIуэм зэрыжиIамкIэ, мы Iуэхум фIыкIэ зихъуэжын хуейщ, ахъшэр нэхъыбэу къызыпыкI IуэхущIапIэ инхэм Iуэху пыухыкIахэмкIэ зэрагурыIуам къыхэкIыу. КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ ТIымыжь Хьэсэн жиIащ налог зытралъхьэ IэнатIэхэм зегъэубгъуным гулъытэ хэха хуэзыщIыну лэжьакIуэ гупхэр министерствэ зыбжанэм къыщызэрагъэпэщыну къызэрыхалъхьар. Апхуэдэу Правительствэм и комиссэм къыбгъэдэхуэ къалэнхэм зрагъэубгъу. Абы дяпэкIэ гулъытэ хэха хуищIынущ лэжьапщIэр зэIухауэ зэратхым икIи зэратым, УФ-м и нэгъуэщI субъектхэм зыщезыгъэтха организацэу, хьэрычэтыщIэу КъБР-м и щIыналъэм щылажьэхэр налог учетым гъэувыным, апхуэдэу инвестицэ проектхэр гъэзэщIэным бюджетым къыхуихь фейдэр къэпщытэным. «Дэ къызэрытлъытэмкIэ, комиссэм и зэIущIэхэм щытепсэлъыхьыпхъэщ налогхэм я лъэныкъуэкIэ льготэхэр зыхуагъэува инвестицэ проектхэр зэрагъэзащIэм», — нэхъ пыухыкIауэ жиIащ ТIымыжь Хьэсэн. ЗэIущIэм апхуэдэу къыщащтащ Правительствэм и комиссэр дызэрыт гъэм зэрылэжьэну планыр. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26510.txt" }
Апхуэдэхэрт гъащIэ зыхуэфащэр… Псыгуэнсу къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м щекIуэкIащ Шэшэн Республикэм дзэ къулыкъу щызыгъэзащIэу гуузу хэкIуэда Црым Артур Анатолэ и къуэм фэеплъ пхъэбгъу къыхузэIухыным теухуа зэIущIэ. Абы кърихьэлIахэщ УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэу КъБР-м щыIэм, Ар-уан куейм и дзэ комиссариатым, къулыкъу щрихьэкIа дзэ IэнатIэм, районым и щIыпIэ самоуправленэм и Советым, къуажэ администрацэм я лIыкIуэхэр, Црымхэ я нэхъыжьхэр, Iыхьлыхэр, благъэхэр, ныбжьэгъухэр. ЩIыхь, напэ, нэмыс псалъэхэм я мыхьэнэ куур куэдым IэщIыб щащIа мы лъэхъэнэ гугъум фIым и гъуазэу къыхэна ныбжьыщIэхэм ящыщт Артур. Пасэу зи адэр дунейм ехыжа щIалэ цIыкIур цIыхугъэмрэ хабзэ дахэмрэ щIапIыкIат и анэшхуэ Заружанрэ и анэ Iэминатрэ. Абыхэм я гугъуехьри псыхэкIуадэ хъуакъым: цIыхухъу нэхъыжь зыщхьэщымытыж унагъуэм къытехуэ къалэн псори жэуаплыныгъэ ин яхэлъу ягъэзэщIэн яхузэфIэкIырт гъащIэ гъуэгу тэмэм трагъэува зэкъуэш цIыкIуитIым. Артур зэрысабийрэ зыщIэхъуэпса дзэ къулыкъум сыт и лъэныкъуэкIи хуэфащэт: и унагъуэмрэ ныбжьэгъухэмрэ фIыуэ илъагъурт, гугъуехьым щышынэртэкъым, адэжь лъахэр хъумэныр псом ящхьэу къэзылъытэ щIалэт. 2005 гъэм фIы дыдэу курыт еджапIэр къиухри, Црымыр Совет Союзым и маршал Соколовскэм и цIэр зэрихьэу Новочеркасск дэт дзэ институтым радиосвязымкIэ, радионэтынхэмрэ телевиденэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ, инженер IэщIагъэр зригъэгъуэтыну. Еджэным лэжьыгъэри дэзыхь щIалэр илъэситхум къриубыдэу взводым и командир къулыкъум нэсын хузэфIэкIащ. КъищынэмыщIауэ, Iэпщэрыбанэ зауэмкIэ, къэжэнымкIэ спортым и мастерт, япэ категорие зиIэ судьят. А псоми къадэкIуэу, дзэ-щIэныгъэ обществэм тхыдэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, экономикэмкIэ и къудамэм хэтт. 2009 гъэм Артур къыхуагъэфэщащ Потанин Владимир и щIыхькIэ ягъэува стипендиер къэлэжьыным теухуауэ ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм и диплом. Црымым лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм къратащ «За отличие в службе», «Участник боевых действий», «Ветеран боевых действий» медалхэр, «За отличие в службе ВВ МВД России» дамыгъэр. 2010 гъэм, лейтенант цIэр къыфIащри, Артур Дон Iус Ростов къалэм и МВД-м ягъэкIуащ. ИужькIэ, къыхуащIа унафэм тету, абы Шэшэн Республикэм щыIэ 46-нэ опербригадэм и 94-нэ полкым и къалэныр къыщрихьэлIэн щIидзащ, майор къулыкъур иIыгъыу. ЩIалэ жыджэрыр зыхэт гупым фIыуэ къалъагъурт, дзыхь къыхуащIырт, щытхъу пылъу дэтхэнэ къалэнри игъэзащIэрт… 2012 гъэм, шыщхьэIу мазэм и 6-м Црым Артур хэкIуэдащ, щIэпхъаджащIэхэм япэщIэту. Апхуэдэ гузэвэгъуэр нэгъуэщI унагъуэхэми имыхьэн папщIэ, хьэщIэхэми бысымхэми щIалэгъуалэр къыхураджащ мамырыгъэм, зэкъуэтыныгъэм, нобэ Кавказ псор зыгъэгулэз къуэш зэрыукIыж зауэр зыублахэм япэщIэтыну, абыхэм зыщахъумэну. Къызэхуэсахэр щIагъэдэIуащ Артур усыгъэ мардэм тету и анэм къыхуитхыу щыта письмохэм. ЩIалэм и дэтхэнэ зы сатырми къыхэщырт дзэ къулыкъум и мыхьэнэмрэ Iэщэ зыIыгъ зауэлIым и къалэнхэр зэрыгъунапкъэншэмрэ, псом ящхьэращи, ахэр мамырыгъэм зэрихъумакIуэр. Балъкъыз Людмилэ, Псыгуэнсу къуажэм дэт курыт школ №1-м и егъэджакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26515.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Журналистхэм я союзым и правленэм хэтхэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэм я гуауэ хъуащ «Ленин нур» («Черкес хэку») газетым и редактор нэхъыщхьэу, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Журналистхэм я союзым и тхьэмадэу лэжьа, зэкъуэш хэ-гъуэгухэм я экономикэ, щэнхабзэ, лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным хуэгъэзауэ IуэхуфI куэдым зи гуащIэ хэзылъхьа Къардэн Мухьэмэд Хьэсэн и къуэр зэрылIар икIи и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ хуогузавэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26519.txt" }
Москва и спортсмен нэхъыфI Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысеймрэ Европэмрэ пашэныгъэ къыщызыхьа, спортым дунейпсо класс зиIэ и мастер Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ, «Псоми я Урысей» порталым и корреспондентым щепсэлъылIэм къыхигъэщащ ар спорт гъащIэм ауэ сытми зэрыхэмытыр, атIэ псэкIэ и гъунэгъу цIыху куэд къызэрыщыгугъыр. — Сосрыкъуэ, уэ Москва и спортсмен нэхъыфIу укъалъытащ. Ар дауэ зэбгъэхъулIа? — Си ерыщагъым къыдэкIуауэ къыщIэкIынущ. ИлъэсипщI ныбжьым сызэритрэ спортым зэпымыууэ сыхэтщ. Зэман лей щызиIэ къыщыхъур зэзэмызэщ: пщэдджыжьым сыхьэти 10-м щыщIэдзауэ 13 хъуху тренировкэхэр изогъэкIуэкI, пщыхьэщхьэми ардыдэр къыспоплъэ. — Иджырей лъагапIэм унэсын папщIэ сыт хуэдэ зэпеуэхэм упхыкIа? — Япэ щIыкIэ Москва щекIуэкIа къыхэхыныгъэ зэхьэзэхуэм сыхэтащ икIи текIуэныгъэр къыщысхьащ. ИужькIэ, гъэ кIуам мэлыжьыхьым и 5-м, Урысейм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ щыIа зэхьэзэхуэм чемпион сыщыхъуащ. КъыкIэлъыкIуэу мэкъуауэгъуэм Европэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэм Урысей Федерацэм и щIыхьыр щысхъумэну сагъэкIуати, чемпион сыщы- хъуащ. Зэхьэзэхуэр щекIуэкIащ Хорватием и Загреб къалэм. «Москва и спортсмен нэхъыфI» цIэр ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу къысхуагъэфэщащ. — Хэт уи гъэсакIуэр? — Бэнэным гупыж хузэзыгъэщIар си япэ тренер Тезадэ Хьэсэнщ. Иджыпсту Къардэн Анзор сригъэсэнщ. — Адэ-анэм уи мурадхэр къыбдаIыгъ? — Шэч хэмылъу. Си адэр мыхъуамэ, спортми сыхэмыхьэххэнкIэ хъунут. Ар езыр штангисту щытащ. Ныбжьэгъуи гъэсакIуи схуохъу. Сыт хуэдэ зэхьэзэхуэ сымыкIуэми, си адэр сщIыгъущ. КуэдкIэ къызэрысщыгугъыр къызгуроIуэри, зэрызмыгъэщIэхъуным иужь ситщ. — ГурыIуэгъуэщ фи унагъуэр спортым зэрыпыщIар. Унагъуэ ухъумэ, уи бынхэри спортым хыхьэну ухуей? — ЗэкIэ бын сиIэкъым, ауэ Алыхьым къуэ къызитмэ, илъэситху зэрыхъуу спортым хэсшэну си мурадщ: япэ щIыкIэ гимнастикэм, итIанэ псы есыным. АдэкIэ езым къыхухэхыжынущ и гум къищтэ спорт лIэужьыгъуэр. Дэтхэнэр нэхъ къищтэми, си адэм сыдэзыхьэхыр къызэрысхуигъэдахэм хуэдэ дыдэу, сэри абы къыхихым арэзы сытехъуэнущ. — Москва спортсмен нэхъыфI узэрыщыхъуам нэмыщI, уэ птеухуауэ дызыщыгъуазэр мащIэ дыдэщ. Дэнэ ущыщ? — Къэбэрдей-Балъкъэрым, Бахъсэн къалэ сыщыщщ. — Дэнэ ущеджэр? — А упщIэр сэркIэ гугъу гуэрщ. Япэ щIыкIэ сыщIэ-тIысхьащ КъБКъУ-м и юридическэ къудамэм. АрщхьэкIэ а IэщIагъэр сысейуэ зэрыщымытыр къызгурыIуэжащ. Спортыр IэщIагъэ схуэхъумэ тэмэму къэслъытэри, Москва физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и институтым и етIуанэ курсым зезгъэдзыжащ. — Уи дежкIэ щапхъэ, зи ехъулIэныгъэхэм ущIэхъуэпс спортсмен цIэрыIуэхэр щыIэ? — Ахэр куэдщ. Хуабжьу сигу ирохь Хъущт Аслъэнбэч, Махуэ Билал, Сайтиев Бувайсар сымэ я бэнэкIэр. — Зи цIэ къипIуахэр Олимп лъагапIэхэм нэсахэщ. Абыхэм ящыщ ухъуну ухуей? — Дауи, си нэ къокI Олимп чемпион сыхъуну. Ауэ, абы сынэсын щхьэкIэ иджыри куэдрэ ерыщу зызгъэсэн хуейщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26521.txt" }
ГуфIэгъуэр я нэгум къощ Хэку зауэшхуэм СССР-м ТекIуэныгъэр къызэрыщихьрэ накъыгъэм и 9-м илъэс 68-рэ ирикъунущ. Мы гъэм етIуанэу а махуэ лъапIэм траухуащ къэралыгъуэшхуэм и щIыналъэ куэдым щыпсэу цIыхухэр зыхэт автомобиль зекIуэр. Урысейм, Белоруссием, Украинэм, Приднестровьем щыщ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ зыхэт гупым и иджырей гъуэгуанэм къыщыщIидзар Севастополь къалэ-лIыхъужьырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым «чырэр» гъатхэпэм и 30-м къэсащ. Налшык ХьэтIохъущокъуэм и цIэкIэ щыIэ зыгъэпсэхупIэ паркым ит МафIэ мыужьыхым деж хьэщIэхэм къащыпэплъэрт республикэм и министерствэ зыбжанэм, къалэ администрацэм, политикэ партхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, еджакIуэ цIыкIухэр, журналистхэр. Зэхуэсым къекIуэлIахэм я гукъыдэжыр хэпщIыкIыу къиIэтащ зыгъэпсэхупIэ паркым и духовой оркестрым. Абы макъамэм зыщригъэIэтым, пэкIум къекIуэлIахэм къагурыIуащ автомобиль зекIуэм хэтхэр къызэрысар. ХьэщIэхэр утыку къраша иужькIэ, хъуэхъукIэ абыхэм захуигъэзащ КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин. — Мы IуэхугъуэмкIэ дэ псоми дызэгъусэу дигу къыдогъэкIыж Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм бийм псэемыблэжу ди къэралыр ящызыхъума ди нэхъыжьыфIхэр, — жиIащ абы. — КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, Парламентым, Правительствэм я цIэкIэ нобэ хьэщIэ тхуэхъуахэм фIэхъус гуапэ фыдох! Мыдрейуэ, ди ветеранхэм иджыри куэдрэ фытхуэпсэуну дынывохъуэхъу! — Ди адэжьхэм Хэкур щахъумэм зэрахьа лIыгъэр зыхуэдизыр къытщIэхъуэ щIэблэм иджыри зэ ягу къэдгъэкIыжынырщ ди зекIуэм и мурад нэхъыщхьэр, — жиIащ гупым я нэхъыжь, Украинэм щыщ Слюсаренкэ Олег. — ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, Зауэ щIыхьым и къалэ 90-м щIигъу къызэхэткIухьынущ. Иужьу дыкъыщыувыIэнур Мэзкуущ. Абы накъыгъэм и 9-м щекIуэкIыну махуэшхуэ парадым дэри дыхэтынущ икIи дыздэщыIа щIыналъэхэм я ныпхэмрэ къызэпытча гъуэгуанэм и картэмрэ дгъэлъэгъуэнущ. МафIэ мыужьыхым деж щекIуэкIа пэкIум къыщыпсэлъахэщ Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къулыкъур пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Кладько Игорь, КъБР-м, Налшык къалэм я ветеран зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэу Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэдрэ Абдуллаев Мустэфарэ, политикэ партхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуа иужькIэ, къызэхуэсахэм удз гъэгъахэр МафIэ мыужьыхым деж щыт фэеплъым тралъхьащ. Ар зэрызэфIэкIыу, утыкум кърахьащ автомобиль зекIуэм къыщыздрашэкI, зи кIыхьагъыр метр 200 хъу, ТекIуэныгъэм и бэракъыр. Слюсаренкэ Олег и къыхуеджэныгъэкIэ, нып плъыжьышхуэр пэкIум къекIуэлIа псоми, абы властым и лэжьакIуэхэри, ветеранхэри, еджакIуэ цIыкIухэри яхэту, яукъуэдиящ. 2013 гъэм накъыгъэм и 9-м Мэзкуу щекIуэкIыну парад иным мы бэракъри щагъэлъэгъуэнущ. Абы и ужькIэ, ар Хэку зауэшхуэм и Музей нэхъыщхьэу къалэ-лIыхъужьым дэтым иратынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и ужькIэ, «Ди ТекIуэныгъэ Иныр» автомобиль-зекIуэм Осетие Ищхъэрэ-Аланием иунэтIынущ. ИтIанэ ар Осетие Ипщэм кIуэнущ. Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26525.txt" }
Бзэрабзэ, ди бзэу дахэкIей! Хэкум и цIэр фIыкIэ къэзыIэтыну, ди бзэ дахэр ину зыгъэIуну зыщыгугъ щIэблэщ Налшык къалэ дэт гимназие №14-м щрагъаджэр. Анэдэлъхубзэм и махуэм теухуауэ мыбы мазэ псокIэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щекIуэкIащ. Ди усакIуэхэм, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр нэхъыфIу зэзыгъащIэхэм я зэпеуэ, сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я «Хэхъуэ, гъагъэ, си Хэку дахэ!» зэхьэзэхуэр, нэгъуэщIхэри купщIафIэу къызэрагъэпэщащ гимназием и лэжьакIуэ Ефэнды Марьятрэ Хьэмырзэ Заретэрэ. Псори къыщызэщIакъуэжа «Си бзэ — си псэ, си дуней» пшыхь дахэр сабийхэм гукъинэжу ирагъэкIуэкIащ. ФIэхъус апщий, Адыгэ Хэку! ФIэхъус апщий, ди лъэпкъ дахащэ! ЩIэкIауэ щытми куэд уи нэгу, Иджыри Iэджэр уи гуращэщ! Тетыху адыгэ мы дунейм, Птеуэнкъым, Хэку, уэ зеиншафэ! Бзэрабзэ, ди бзэу дахэкIей! Узэпымыу, адыгэ къафэ! Мы псалъэхэмкIэ зэхыхьэр къызэIуахри, еджакIуэхэм ирашэжьащ джэгу екIур. КъыкIэлъыкIуэу утыкум къеблэгъащ 2-нэ классым щеджэ Тхьэзэплъыж Анатолэрэ Балэ Миланэрэ, 11-нэ классым щIэсхэу Шыбзыхъуэ Тамерланрэ Понэж Марьянэрэ. НыбжьыщIэхэм дахэу, щIэщыгъуэу ирагъэкIуэкIащ зэхыхьэр. «Ди адэжь-анэжьхэм я бзэ дахащэмкIэ дэ дыгъэми, мазэми, псэущхьэми, къэкIыгъэми допсэлъэф, абыхэм я гъусэу донэщхъей икIи догуфIэ», — жиIащ Анатолэ. Абы и псалъэм щыхьэт техъуэу, Мысостышхуэ Айдэмыр Нало Заур и «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ» усэм къеджащ. ЕтIуанэ классым щеджэ Щоджэн Тамерлан тепсэлъыхьыжащ Къэжэр Хьэмид и «Чэнджэщ» хъыбарым. Гур хэхъуэрт щIалэщIэм и анэдэлъхубзэр Iэзэу зэригъэшэрыуэр щызэхэпхкIэ. Шорэ Данэрэ Дыгъужь Иланэрэ ягъэзэщIащ «Къэбэрдей», «Си Къэбэрдей» уэрэдхэр. Хэкум, лъахэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр зи лъабжьэ а уэрэдхэм щIалэгъуалэр нэхъ щIэх-щIэхыурэ щIэдэIумэ, щIыналъэм нэхъ хуэгумащIэу къыдэкIуэтеинкъэ?! Гимназием и еджакIуэ нэхъыжьхэм ягъэлъэгъуащ «Бзэм и къарур» театр теплъэгъуэ кIэщIыр. Пасэрей алыдж хъыбарым къытращIыкIа спектакль цIыкIум и гупсысэ нэхъыщхьэр бзэм нэхъ IэфIи нэхъ дыджи зэрыщымыIэрщ. ЕджакIуэхэм къагъэлъэгъуэжащ алыдж хэкупщ, философ Ксантрэ абы и лIыщIэ Эзопрэ я зэхущытыкIари иужьрейм и Iущыгъэри. Шхыныгъуэм я нэхъ IэфIыр, абы къыдэкIуэуи ерыскъыгъуэм я нэхъ Iейр ипщэфIыну Эзоп и пщэ къыщыдалъхьэм, ар куэдрэ гупсысатэкъым: тIум щыгъуэми бзэгу гъэва Iэнэм къытрилъхьащ. ЛIыщIэм апхуэдэу щIищIам и щIагъыбзэр Iэзэу яIуэтэжащ еджакIуэхэм: «Бзэгум нэхъ IэфI мы дунейм теткъым. БзэмкIэ цIыхухэм фIэхъус зэрах, Iуэху куэд зэфIагъэкI, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, бзэм ирызэгуроIуэ. Бзэм и фIыгъэкIэ къэралхэм я Iуэхур зэтоувэ, лъэпкъхэм я псэукIэми, щэнхабзэми заужь»; «Бзэгум нэхъ Iей мы дунейм тет?! Бзэр къагъэсэбэпри, цIыхухэр зэфIонэ, къызэрогъапцIэ, зым адрейм и жагъуэ ещI. Бзэм зауэ къигъэхъеифынущ, къалэхэр, къэралхэр зэтрикъутэфынущ». — Мы теплъэгъуэ кIэщIымкIэ дэ жытIэну дызыхуейр бзэм куэд зэрыхузэфIэкIырщ. ЦIыхур егупсысыпхъэщ жиIэм, щIыжиIэм, щыжиIэм. Арыншамэ, фом хуэдэу ди бзэ IэфIыр зэзым ещхьу дыджу къыпхущIэкIынри хэлъщ. Бзэм дыхуэвгъэсакъ, дывгъэхъумэ. Зыщыдвмыгъэгъупщэ — бзэм куэд хузэфIокI, — жиIащ зэхыхьэр езыгъэкIуэкIа Понэж Марьянэ. Усэхэм гъэхуауэ къеджащ Апажэ Дианэрэ Щоджэн Мадинэрэ. Пшыхь дахэр зэхуащIыжащ джэгукIэ. КъызэгъэпэщакIуэхэми еджакIуэхэми фIыщIэ яхуищIу къэпсэлъащ гимназием и унафэщI Жамборэ Риммэ. «Дахэ дыдэу, гум хыхьэу зыкъэвгъэлъэгъуащ нобэ нэхъ цIыкIухэми еджакIуэ нэхъыжьхэми. Уолъагъу анэдэлъхубзэм фи псэр зэрыхэфлъхьэр. Фи фIэщ фщIы, зи бзэ, зи хабзэ, зи щэнхабзэ фIыуэ зылъагъуж цIыхур насыпыфIэнущ. Дуней псом къыщалъытэ адыгэ хабзэм, адыгэ нэмысым щапхъэ трахыу адрей лъэпкъхэр къэгъуэгурыкIуащ. Абы къыхэкIыуи, фи Хэкум, фи лъэпкъым папщIэ фи щхьэр лъагэу Iэтауэ, сыт хуэдэ Iуэхум зевмыпщытми, фIым фрителъхьэу дунейм фытетыну си гуапэщ», — жиIащ Риммэ. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26529.txt" }
УсакIуэ уахътыншэ Жызумейхэмрэ жыг хадэхэмрэ къаухъуреихьа Неккар псым и Iуфэм Iусщ Германием и Марбах къалэ цIыкIур. А къалэм 1759 гъэм щэкIуэгъуэм и 10-м къыщалъхуащ Германием и лъэпкъ усакIуэшхуэ Иоганн Кристоф Фридрих Шиллер. Шиллер Фридрих (1759 - 1805 гъгъ.) И сабиигъуэм ар дихьэхауэ едаIуэрт полкым и фельдшеру щыта и адэм езыр зыхэта зауэ зекIуэхэм, унагъуэр зыхуей хуэзэу псэун папщIэ анэм игъэва гугъуехьхэм, куэдрэ Iэпхъуэшэпхъуэн хуейуэ къазэрыхудэкIам теухуауэ къиIуэтэж хъыбархэм. УсакIуэм и сабиигъуэр узыщыгуфIыкIыщэн зыхэмылъ жыхуаIэм хуэдэу екIуэкIащ. Абы щыгъуэ Германиер щхьэж и Iуэху щызэрихуэж къэралыгъуэ цIыкIуурэ зэпыудауэ щыщыта лъэхъэнэт. Апхуэдэ зы щIыналъэ мыинт Шиллерхэ я унагъуэр щыпсэуа, щхьэзыфIэфI Карл-Евгений герцог залымым и унафэм щIэта Вюртемберг герцогствэри. 1777 гъэм герцогым и унафэкIэ Шиллер зауэ еджапIэ хэхам щIагъэтIысхьащ, иужьыIуэкIэ ар Карл и Академие хъуащ. ЕджапIэм хабзэ ткIий щызекIуэрт. Казармэхэм я теплъэ хьэлъэри хабзэ ткIийхэри зэран хуэхъуфакъым ныбжьыщIэм и псэр усыгъэм хуэушэным. Шиллер Шекспир и тхыгъэхэр дихьэхыу едж, езым и лъэхъэнэгъу цIэрыIуэ Гёте и драматургием куууэ зыхегъэгъуазэ. Академием литературэ Iуэху щызепхуэну хуит ущащIыртэкъым. Апхуэдэхэм тезыр ткIий тралъхьэрт. КIэлъыплъакIуэхэм закъримыгъащIэу, зигъэпщкIуурэ Шиллер усэхэр, пьесэхэр итхырт.1776 гъэм литературэ альманах гуэрым къытрадзауэ щытащ Шиллер и IэдакъэщIэкIхэу ди зэманым къэсахэм ящыщ зы усэ «Пщыхьэщхьэ» жыхуиIэр. А зэман дыдэрщ Шиллер «ХъунщIакIуэхэр» драмэми елэжьын щыщIидзар. Шиллер зэрытхэм еджапIэм и унафэщIхэр игъэгубжьырт. Аращ Фридрих и диплом лэжьыгъэр, «Философиемрэ физиологиемрэ» жыхуиIэр, мыхъуауэ Карл-Евгений герцогым къыщIилъытар икIи ныбжьыщIэр иджыри зы илъэскIэ Академием щеджэн хуейуэ унафэ щIищIар. Ауэ усакIуэ ныбжьыщIэм и гущIэм щызэхэна усыгъэ мафIэр бгъэункIыфIыныр мытыншу къыщIэкIащ. Хуитыныгъэм хуэпабгъэ, залымыгъэм теплъэ мыхъу усакIуэ щIалэм нэхъри ерыщу елэжьу щIидзащ и гурыщIэхэр къыщиIуэта «ХъунщIакIуэхэр» драмэм икIи ар псынщIэу и кIэм нигъэсащ. Илъагъу мыхъу Академиер къиухри, мазэ зытIу нэхъ дэмыкIауэ, а пьесэр 1781 гъэм и накъыгъэм дунейм къытехьащ икIи дунейпсо драматургием и нэхъыфIыпIэхэм халъытащ. 1782 гъэм и щIышылэм драмэр щагъэуващ Мангейм — Баден маркграфствэм — и щэнхабзэ, экономикэ IуэхущIапIэ цIэрыIуэм. Нэмыцэ цIыху пэрытхэм а лъэхъэнэм, Энгельс и псалъэкIэ жыпIэмэ, «зэман нэхъыфI къэкIуэнымкIэ я гугъапIэ закъуэр зыхалъагъуэр литературэрат». Ахэр дэрэжэгъуэшхуэкIэ IущIащ Шиллер и япэ пьесэм. Иджыри къыздэсым зыми ямыцIыхуа тхакIуэ ныбжьыщIэр Германиеми нэгъуэщI щIыпIэхэми зэуэ цIэрыIуэ щыхъуащ. «ХъунщIакIуэхэр» драмэр щхьэхуитыныгъэмрэ абы щIэзэухэмрэ я гимн пэлъытэ хъуащ. А лъэхъэнэрщ Шиллер щитхар щхьэхуитыныгъэм щIэзэун гупсысэкIэ гъэнщIа, цIыхубэм япхъуэта, гъэпщылIакIуэхэр зыгъэкIэзыза усэ куэд. Ахэр псори къытрадзащ «1782 гъэм и антологие» усыгъэ тхылъым. «ХъунщIакIуэхэр» драмэм и ехъулIэныгъэм нэхъри игъэгубжьащ арыншами усакIуэ ныбжьыщIэ сампIэимыхьэр зылъагъу мыхъу герцогыр. И пьесэр зэрагъэува щIыкIэм еплъыну Шиллер Мангейм щыкIуам Карл-Евгений ар игъэгъэтIысри, унафэ ткIии ищIащ усакIуэр Вюртемберг герцогствэм и гъунапкъэм ебэкъуэну, апхуэдэ дыдэуи зыгуэр итхыну хуимыту. Шиллер быдапIэ лъэхъуэщым ираубыдэнкIэ шынагъуэ къыкъуэкIащ. 1782 гъэм и фокIадэ мазэм пщыхьэщхьэу Шиллеррэ и ныбжьэгъу музыкант Штрейхер Андреасрэ кIуасэри щэхуу Мангейм кIуахэщ. Мангейм театрым и унафэщI, егъэлеяуэ зызыгъэпагэ барон фон Дальберг «ХъунщIакIуэхэм» спектаклым фейдэшхуэ къыхуихьами, абыхэм нэщхъыцэущ къазэрыIущIар. «Фиескэ Генуе щищIа зэгурыIуэныгъэ щэхур» пьесэщIэм Мангейм театрым и актерхэм къазэрыхуеджами, Шиллер дэрэжэгъуэ нэхъ къритакъым. Актерхэм пьесэр ягу ирихьыщакъым. Шиллер и Iуэхум узыщыгуфIыкIын хэлътэкъым — ахъшэншэрэ зыкъуэпсэукIын имыIэу, и закъуэу хамэ къалэм къыдэнат. Шиллер и ныбжьэгъу Штрейхер иIыгъа ахъшэ тIэкIур куэдрэ урикъунт, псынщIэу къаIэщIэухащ. Аванс къритыну Дальберг елъэIуат, ауэ къигъэщIэхъуащ. Сытми, зыкъомрэ гугъу дехьауэ, Шиллер «Фиеско» пьесэр къытрыригъэдзащ, ауэ абы къыпэкIуа ахъшэр и щIыхуэхэр итыжыну ирикъуа къудейщ. И насыпым кърихьэкIри, Шиллер Мангейм щыхуэзащ пщы гуащэ фон Вольцоген, ар Шиллер Академием къыдыщIэса и ныбжьэгъу гуэрым и анэт. ЦIыхубзым Шиллер иригъэблагъэри, усакIуэр абы и къуажэм кIуащ икIи, Карл-Евгений герцогым зыкъримыгъэщIэн щхьэкIэ, и унэцIэр ихъуэжащ. Иджы, ахъшэ къэлъыхъуэным хэмытыж Шиллер хуиту литературэ лэжьыгъэм зритащ. А зэманырщ абы щитхар хъыджэбз къулейсызым уэркъ цIэрыIуэм хуищIа лъагъуныгъэ насыпыншэм теухуа «Луизэ Миллер» пьесэщIэр. А лъэхъэнэм нэмыцэ актерхэм я нэхъ лъэщ дыдэу щыта Иффланд и чэнджэщкIэ, Шиллер «Бзаджэнаджагъэрэ лъагъуныгъэрэ» зыфIищыжа «Луизэ Миллер» 1784 гъэм ягъэуващ. Энгельс зэрыжиIауэ щытащи, «Бзаджэнаджагъэмрэ лъагъуныгъэмрэ» феодал властхэм щысхьыншэу ягъэпщылI цIыхубэм хуитыныгъэ гуэри зэрамыIэм теухуа япэ политикэ драмэщ». Шиллер и творчествэм, абы урыс тхылъеджэм дежкIэ иIэ мыхьэнэм тетхыхьахэщ Белинский, Добролюбов, Чернышевский, Салтыков-Щедрин сымэ. УсакIуэ уахътыншэм и тхыгъэхэр урысыбзэкIи, ди къэралым щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэм я бзэхэмкIи зэрадзэкIащ. Иужьрей илъэсхэм Шиллер сымаджэрилэурэ екIуэкIащ. И тхьэмбылым щIыIэ хыхьэри, и ныбжьыр илъэс 45-м иту усакIуэр 1805 гъэм и накъыгъэм дунейм ехыжащ. Уэрэзей Афлик. Шиллер Фридрих ЗэрыпхъуакIуэ Мэпхъэр си губжьыр уи лъэужьым тету, ЗэрыпхъуакIуэ, Къуихыну и нэлатыр И пащхьэм уиту Ди Уахътыншэ КъэгъэщIакIуэм! Мазэгъуэ изыр щхьэщысыкIыу щыгум, Вагъуэ бжыгъэншэхэр къыщиплъэкIэ си нэгум, ПщIыхьэпIэ хъарпшэрхэм, сыкъауфэрэзыхьу, Уи теплъэр, зэрыпхъуакIуэ, къысщхьэщахьэ. Сигъэгузавэу шынагъуэм. ЗыкъызощIэжри абы щыгъуэм, Уи теплъэр сщIыуэ хэутэн, ИзоIуэ ину жэщыбгым и тхьэкIумэм ЖысIэхукIэ си гур къезыгъакIуэ Уи цIэ угъурсызыр, зэрыпхъуакIуэ! Жьэдилъэфэным хуэдэу бгыжьыр, Толъкъуным ину иущIауэ и жьэр Сэ къысподжэж, борэнри Iэлу Мэдалъэ, къишэу уи Ажалыр, Лейр къыщIамыгъакIуэу, Уахьыну ахърэт жагъуэм, ЗэрыпхъуакIуэ! Месыр, месыр, къыпхетхъыкIыр, ДжатэпэкIэ и гъуэгур пхищIыкIыу, ИкIи мэкъугъыр, (ар зэхэпхрэ ди Щхьэщыгум къитым?): «Феуэ, фукIхэ псори, фщIауэ егъу!» ЗауэлIхэми ящIэжыркъым гущIэгъу. УIэгъэ гызхэм кърагъакIуэ гур, КIийхэм я макъым зэщIищтащ уафэгур, Фыкъыхэплъи пшэ зэрызехьэхэм, Фи бын зэрыукIыжхэм феплъыт, ди тхьэхэ, Тхьэхэ, ефхыну фи нэлат Залымыгъэм куэд щIауэ къилэжьат! Залымыгъэм пагэу ечыр и лъэр, Къыхех бахъэр яукIахэм я лъым, Къемэт къэблагъэм и хъыбарегъащIэу ЗэрыпхъуакIуэм щхьэщэ худагъэщIыр! ЗэрыпхъуакIуэ, зыхэлъыр сыт уи щэхур — И хъуэпсапIэр залымыгъэм? Къыщыбгъэбатэу къырыр уафэ нэхум, Къуршыбгъэр бгъэшынэн уи гугъэ? Уи текIуэныгъэм уигъэчэфу, уригушхуэу, Къэбзэуахэм ухэту я сахуэм, Ухэплъэныр бгъэлыда мафIэсым Ара уи хъуэпсапIэр зэгупсысыр? Дуней кIэзызым и фэр Шэхуу пихуауэ залымыгъэ зефхьэм Къыфхуэлъагъунукъым пщIыхь нэхуу Жэнэт хадэу ди гум къыщыгъагъэр щэхуу! Кхъухь вгъэлъэта хуэдэ хьэрш гъунапкъэншэм Зывгъэтету хэвутIыпщхьэм щIы хъурейр, Къыфщыхъужынущ фи зэфIэкIыр щIэншэу, Фи IэмыщIэм ивгъэтIысхьа дунейр! Уафэ тахътэм фыкъитIысхьарэ, Зыкъэфлъытэжу Уэхьийуэ, Фыкъыхуеплъыхынущ жыжьэу щIыгум, Фрипагэжу ар зыхэвдза бэлыхьым! Мывэ къебдзыхым къыр абрагъуэм, Икудэм жэнэт хадэм и гъэгъа алэрыбгъур, Хамэ къалащхьэхэм я мафIэу Щыбгъэужьыхыжым уэгум вагъуэр, МафIэ гъуэжькуийм иуфэм уэгур, МафIэр къэпфыхьу къогуфIыкI уи нэгур! УщIохъуэпс мылIэжыныпсэ — Дуней псом щIрет абы и уасэр! Пэжщ, зэрыпхъуакIуэ, ухъунущ уэ уахътыншэ! Абы щогугъыр, аращ зэжьэр лIыжьыр, Йожьэ фызабэхэр, сабий зеиншэр Уахътыншагъэр кърикIуэным уи Iэужьым. Дэплъейт, зэрыпхъуакIуэ, уэгум, ажал щыхэпсэ губгъуэу Псы папщIэу лъы зыщIэбгъэлъадэм зыщеIэтыр щыгъуэм, Макъ мелуанхэм зэщIэкъугъэу, ИращIэкI уи IэрыкIым хьэдагъэ! Абы нэхъри егъэгуфIэ нэгур, бгъэм имыхуэжу кърегъауэ уи гур! Нэлату къуахыр зэхыхьэжрэ жьыбгъэу уэгум Нилъадэрэ пшэ фIыцIэхэр зэщIыгъуу Зэхуахусыжмэ къаIэту уафэгъуагъуэр, Я къару шынагъуэр къыпщхьэщахьэм, Къэплъагъужынут уэ Олимп и Iуащхьэр, ИкIи уахьынут Эребыщхьэ! Жьыбгъэ къыкъуэум удэкIэзызу зыплъыхь, зэрыпхъуакIуэ, Уи гъуэгу сабалъэр пхуэхъужынущ щхьэкIуэ, Гъуэгум телъ яжьэр уи къуэшхэм я сахуэщ, Ажал тхьэлъэIукIэ ягъакIуэу махуэр. Псэхэр къигъэтэджыжу, къемэтым къоджэм Тхьэр, МафIэ лыгъэу уихьэнущ и пащхьэм. КъыхэтэджыкIхэурэ мафIэсым Къоджэжынущ уэ бгъэнахэр псэуэ. А макъхэр жэщым хэжэбзэжу, Олимп щыгу дахым къемэт тэрэзэр, Зэпашэчыжри щыблэжьауэ хъуар мы гъащIэм, УздагъэкIуэнум и унафэр ящIыр. ГущIэгъуншэу бгъэна псэхэм я гъуэгуанэм Утехьэнущ, ущышынэу я лъыр ящIэжыным Зыри зи нэIэ щIэмыкI дыгъи, Мазэгъуэ жэщым и мазэ бзыгъи. Олимп щыгу щызэхуэса псэхэр, мелыIычхэр, ЩIылъэм и тафи, и бгылъи, ЗэщIэтэджэнущ щIэхъуэпсу уи лъым. Щадзынущ абыхэм щысхьыншэу щыхупIэм Уи тахътэ апхуэдизу бгъэлъапIэр. Абдеж, Олимп щыгум, Алыхьым и пащхьэм, УщылъэIуэфынукъым упыхьэу: ГущIэгъу къыпхуащIынукъым, лейр къыпщIэкIуэу, Къыпхуэгъунукъым зыри, зэрыпхъуакIуэ! Си бгъэм мафIэ щызэщIэплъэм Къуих нэлатыр тэрэзэм тралъхьэм, Ещхьу уафэр къехуэха мы щIылъэм, ЕщIэнущ тэрэзэр, жыхьэнэмэмкIэ уихьу. ЗэщIэнщ итIанэ хъуэпсапIэу сиIа псор, Къыптехуэнщ нэлату къуихар псэм. ИкIи зэгъэжауэ си гур, ГуфIэгъуэр щысIэтынщ мы щIыгум! 1777 Нэхумрэ хуабэмрэ Дунейм къыщытехьэкIэ цIыхур, ИгъэгуфIэу гугъапIэ нэхум: Щилъагъуну ихъуреягъкIэ И хъуэпсапIэфIхэр щIэкIыу нэгум ЩилъагъункIэ гугъэу мы щIыгум — Мурад дахэр щыушэу и псэм, Прехьэжьэ пэжым фIэхъусыр. Ауэ куэд дэмыкIыу, къызэрищIэу Ихъуреягъыр пцIыIуэпцIышэ защIэу. Мурад ещIыр химыгъэтIасэу, Iэмал иIэм къригъэлыну и псэр, И мыл чэщанэ пагэу закъуэныгъэм IункIыбзэ етакIэ щIегъэпщкIуэж и лъагъуныгъэр. Пэжым и нурхэр къыщIолыдыкI чэщанэм, Дэтхэнэ бзийри дэп жьэражьэу къызэщIэнэу. И насыпщ дуней щэхур къэщIэным, И гур щIимыту къызыхуэнэм. Мы ди гъащIэр мыл щIыIэ зыхэсым Уи хъуэпсапIэм и нурхэр хэгъапсэ! Бгъуагъымрэ кууагъымрэ Зызыгъэпакъэ куэд ецIыхур гъащIэм, Псалъэр зэрыщагъэтыж ямыщIэу, Я Iуэху зыхэлъи зыхэмылъи тепсэлъыхьу, Лажьэ зимыIэм мыхьыр ирагъэхьу. УедаIуэмэ абы я жыIэм, Къыпщыхъунущ фIы дунейм щымыIэу. Апхуэдэхэр йохыжыр дунейм щэхуу, Псэуми лIами зым къафIэмыIуэхуу. ЩIэхъуэпсам ищIыну унагъуэ, Адэ хъуным щIэхъуэпсу, Пасэу къэзышам щхьэгъусэ ЗигъэпIииныр фэуэиму, Зэхуехьэс псэуху къарухэр щыму. Жыг лъэдийр докIей уафэм нэсу, Къудамэ щхъуантIэхэм дыгъэпс къапхыпсу; Тхьэмпэхэр мэсыс, сагъызыр къапхывыкIыу, Ауэ жыгым пхъэщхьэмыщхьэ къыпымыкIэ. Жэщыр теIубауэ жылэр халъхьэм щIым, Жыг къокIыкI, телъу мэзым и напщIэм. ГугъапIэ Дунейм тетыху мэгугъэ цIыхур ГъащIэр къигъэIурыщIэну. Игу ирелъхьэжыр мурад нахуэу Къыхуиухар насып натIэ ищIыныр. Насыпыншагъэм и лъэужьым Насып къиувэурэ зэкIэлъхьэужьу Махуэхэр макIуэ, ежьэу нэхъыфIым, КIапсэлъэрышэрэ загъэIумпIафIэу. ЦIыхур гъуэгум тезышэр гугъапIэрщ, ЗыгъэнэщхъыфIэр аращ сабийр, ЩIалэр егъаплъэ гъащIэ дыгъапIэм, Щигъэгугъ защIэу и дыгъэ бзийм. Уахътыншэу цIыхум кърит гуращэр Йогъуалъхьэр лIыжьым щIыгъуу кхъэ мащэм. ГугъапIэ нэпцIкъым сабийм и гъусэу Гущэм хэлъ гугъэр щIыхыхьэр и псэм. Тхьэгурымагъуэу къыджеIэ ди гум Дынэсыфыну насыпым и щыгум! Абы ди гущIэм мафIэ щищIыр Къытхуоблэр ужьыхыж имыщIэу. 1797 Хъыджэбзым и тхьэусыхэ Жыгей тхьэмпэхэр мэIущащэ, Пшэхэр щхьэщосыкIыр уэгум, Псы Iуфэм Iусу нэщхъей пщащэм Псым и толъкъунхэр къопэщэщ и лъэгум. Пшапэ зэхэуэм Хощатэ пщащэр хьэлъэу, Нэ къэплъыжьахэм Нэпс къыфIыщIолъэлъыр. «ЯуIащ си гур, СфIэIэфIыжкъым дунейр, Иджы щыIэжкъым Зыри сызыхуей. Еджэж уи пхъум и псэр, ди Тхьэ лъапIэ, Къыслъысыр сэ мы щIым къэзгъэщIакIэщ, СыщIэпсэуа си лъагъуныгъэр яукIакIэщ». «Ежэхми нэпсыр IэубыдыпIэншэу, Зыри лъэмыкIыну къарууншэщ. ЛIэжахэм зэхахынукъым уи гызыр, КъысхуэIуати уи гур зыгъэузыр, ХуэсщIэфынур уи лъагъуныгъэ яукIам, Сыпхуэхъунщ сэбэп зэрысхулъэкIкIэ». «Хуейми ирекъарууншэ Си нэпсыр, кърежэх IэубыдыпIэншэу Зэгуэр лIэжахэм я псэр Къыхуэмыгъэушу! Ауэ, ди Тхьэ лъапIэ, мыр зэгъащIэ, АбыкIи дуней псом хъыбар егъащIэ, Лъагъуныгъэ яукIам и ужькIэ Псом нэхъ IэфIыр абы нэпс къыпфIыщIигъэкIырщ». 1798 Сабийм и пщIыхьхэр (Псэм и макъ) Дэнэ сыщыIэ, сыт си лажьэр, Къыпхуэлъагъужыркъэ си ныбжьыр? СыпсэуакIэ, лъагъуныгъэ сщIа, Си фарз псори щIым щызгъэзэщIа? УщIэупщIэнщ макъамэр зэрылъэлъу Пхуэусэу щыта бзухэм я пшыналъэм. НыжаIысри я уэрэдыр, Бзухэр хыхьэжакIэщ гъэдэ-щIыдэм. Къэзгъуэтыжа сфIэкIуэдауэ щытар? Гъусэ щыхуэхъужа абы аргуэру си псэр, Уагъэгузавэу уамыгъэщатэу, Щхьэусыгъуэншэщ мыбдеж нэпсыр. Фи дежи щыплъагъунущ уэ ди ныбжьхэр, Сэ сэщхьу пщIамэ уэри лъагъуныгъэ. Абы си адэм и напэр щыкъабзэщ, БэIутIэIухэм япэIэщIэу и псэр. Абы къыщагъапцIэркъым адэм и гугъапIэр, Щэхуу вагъуэм нэр ягъэупIэрапIэу; Дэтхэнэ гугъапIэми иIэжщи пщалъэ, УалъоIэсыр, фIэщхъуныгъэ пхэлъым. Хьэрш гъунапкъэншэм и гъуэгу уахътыншэхэм Къатыбогъуатэр псоми я жэуап. ЗэIыпщIыкIыж аргуэру шэч къыщIэпхьхэр; Гупсысэ куу ящIэлъщ сабийм и пщIыхьхэм. 1802 Псы Iуфэм Iус ныбжьыщIэр Псы Iуфэм Iусу щауэ ныбжьыщIэм Губгъуэм и нэщхъейхэр Iэрамэу зэхеухуанэ, КIэлъоплъ, гъэгъахэр я архъуанэм хащIэу ЩIаупскIэу зэрахьым толъкъунхэм. Блолъэтхэр махуэхэр псыежэхыу, Тенджызышхуэм хуэпIащIэ пфIэщIыну, Мо гъэгъа хуэлэжхэм ещхьу, Си щIалэгъуэри зэманым ехьыр! Гъатхэ къэсам зыIэпишэу ГуфIэжу псоми уэрэд къыщрашкIэ, ЩIэнэщхъейм и псэр ныбжьыщIэм, СыволъэIур, фыщIэмыупщIэ. Макъ минкIэ зэщIэжьууэ пшыналъэ Къыщегъэушри си псэм гъатхэм, Гур, хуэмыIыгъыжу бгъэ зэрылъым, ЕгъэхыщIэ нэщхъеягъуэ хьэлъэм. Къызиткъым гъатхэм дэрэжэгъуэ, СыщIымыгъумэ фIыуэ слъагъум. Сыхуэзэшу IэплIэр щыхуэзущIым, МэкIуэдыжыр здэкIуар сымыщIэу. Мыбдежым щызыхэзымыщIэу гуфIэгъуэ, Къоуэ гур имыIэу тепыIэгъуэ. «СынолъэIур, си псэ, къэбгынэ, Бгы лъагэм пагэу тет чэщанэр. Гъатхэм къысхуихьа удз зэмыфэгъухэр, Уи лъагъуэм тезубгъуэнущ алэрыбгъуу. УщысщIыгъум нэхъ нэху мэхъур псыр, Бгы уэрэдыр нэхъ къыхохьэ псэм. Унэ зэври нэхъ Iэхуитлъэхуитщ ЩыщIэсым фIыуэ зэрылъэгъуаитI». 1803 Бгы уэрэд ЩыхупIэ лъагэм и нэзым Iуту йожэкIыр лъагъуэ бгъузэр; Иныжьхэм яхъумэ а лъагъуэр, Ажалми щищIащ абдежым абгъуэ. Къыгуэун хьэзырщи мывэжь абрагъуэр, Умысакъмэ, гъуэгур шынагъуэщ. Лъэмыжым, пхъэхьу гъэшауэ, ЗэпещIэ я кIапэхэр къуршхэм; Лъэмыжыр трилъхьэркъым лIэныпсэм, Уахъты зиIэр абы пхуеIусэн? И лъабжьэм щIахыр псыр толъкъунхэм, Лъэмыжыр трахыну щIэкъухэу. Абы ублэкIмэ, зэIухауэ хъыжьэу Куэбжэ щытым щызэблоухэр ныбжьхэр; Абыи уаблэкIыфмэ, ауз дахэщ, ГуфIэжу бжьыхьэр щыдэджэгуу гъатхэм. Псэр псэухункIэ хъуапсэу зыхуэпIащIэ! ЛъэкIамэ, гъащIэр къэлъэтэнут мыбы занщIэу! ПсыежэхиплIым я макъыр щогъуагъуэ — КъыздикIыр зыми къыхуэмылъагъуу; Зыр мажэ къуэкIыпIэмкIэ, зыр къухьэпIэмкIэ, ХуэпIащIэу жэщыбгым, хуэпIащIэу шэджагъуэм, Зэгъусэу къыщIэжми, щIым къыщытехьэкIэ, Зэхожри, щхьэхуэу къалъыхъуэ я лъагъуэр. Зэхыхьэжынукъым псыхэр игъащIэкIэ, КъикIуэтыжынукъым зэи псыкIэмкIэ. Жыжьэу, жыжьэу уафэ тхьэху лъащIэм ЩIэт къыритIым я щхьэщыгухэр пшэхэм хащIэ, ЙолъэгэкIыр къырхэр щIылъэм щызэрахьэм; Пшэ дыщафэхэм къыритIыр къафыхьыр. Хьэуар макъ гуакIуэм зэгуигъэзу, Уэрэд кърашыр хур хъыджэбзхэм. Иджыри къэскIэ зыми и лъэр Нихусыфакъым абы, икIауэ щIылъэм. Нэхутхьэхуу, нурыр нэгум къищу, Тахътэ уахътыншэм исщ пащтыхь гуащэр; И пащтыхь пыIэм хэс налкъутналмэсхэр НэкIу дыхьэрэным зэщIэлыдэу щIопсэ. Дыгъэ зыри щыхуэныкъуэкъым абы, Къепсу щытми, къыхимыхыу хуабэ. 1798 ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26532.txt" }
Зэдэарэзыуэ дзыхь ирагъэз Сыжажэ Хьэсэн Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэу хахыжащ. Апхуэдэ унафэ къыщащтащ щIыпIэ самоуправленэмкIэ советым и 12-нэ сессием. Сыжажэ Хьэсэн унафэм Iэ щIедз. Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къулыкъум ягъэувынур къыщыхахыну зэпеуэр мы гъэм и мазаем къыхалъхьауэ щытащ. Зыхэплъэну тхылъхэр кандидатитIым — куей администрацэм и унафэщI Сыжажэ Хьэсэнрэ абы и къуэдзэ Тохъутэмыщ Мухьэмэдрэ ятат. Iэ яIэтын и пэ къихуэу, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэ Власов Александр псалъэ къищтащ. Абы къигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Тхьэмадэ Къанокъуэ Арсени республикэм и адрей унафэщIхэри, Сыжажэ Хьэсэн и кандидатурэм зэрителъхьэр икIи къыхигъэщащ куейм и нэхъыжьу щытахэу мы зэманым ди щIыналъэм къулыкъушхуэ щызыIыгъхэм я Iуэхум абы хуэфащэу зэрыпищэр, Бахъсэн районым зегъэужьыным куэд зэрыхищIыхьар, къызэгъэпэщакIуэфIу, унэтIакIуэ Iэзэу зыкъызэригъэлъэгъуар, властым и къудамэ псоми зэпIэзэрыту зэрадэлажьэр, пщIэ зэриIэр. Апхуэдэу абы и кандидатурэр диIыгъащ КъБР-м и Парламентым промышленностымкIэ, гъуэгу хозяйствэмкIэ, транспортымрэ связымкIэ и комитетым и унафэщI КъуэщIысокъуэ Юрэ. — Сыжажэ Хьэсэн зэрыунафэщI губзыгъэр и къулыкъум зэрыпэрыта илъэситIым къагъэнэIуащ. Районым зэрызиужьынум теухуауэ дызыхэплъа и программэр абы и щыхьэтщ, — къигъэлъэгъуащ щIыпIэ самоуправленэмкIэ советым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Анзор комиссэм и лэжьыгъэм кърикIуар щызэхилъхьэжым. Сессием Сыжажэ Хьэсэн и кандидатурэр зэдэарэзыуэ щыдаIыгъащ. — Сэ дапщэщи фIэщхъуныгъэ схэлъщ икIи зэуIуу дызэдэлажьэмэ, Бахъсэн районым къыпэщыт къалэнхэм дазэрыпэлъэщынум шэч къытесхьэркъым, — захуигъэзащ абы дзыхь къезыгъэзахэм. Сыжажэ Хьэсэн Лабид и къуэр Бахъсэн районым щыщ Псыхъурей къуажэм 1962 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м къыщалъхуащ. 1980 гъэм курыт еджапIэр къиухащ, 1980 — 1982 гъэхэм советыдзэм къулыкъу щищIащ. 1984 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр (Тэрч) мэкъумэш техникумыр, 1992 гъэм агромелиоративнэ институтыр агроном IэщIагъэр иIэу къиухащ. 2000 гъэм мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. Бахъсэн районым щыIэ «Большевик» колхозым 1984 гъэм лэжьэн щыщIидзащ. ПэщIэдзэ комсомол организацэм и секретару, трактор-губгъуэ бригадэм и унафэщIу, агроном нэхъыщхьэу, «Псыхъурей» СПК-м и Iэтащхьэу щытащ. 2004 гъэм и щIышылэм къыщыщIэдзауэ 2006 гъэм и щэкIуэгъуэ пщIондэ Бахъсэн куейм и агропромышленнэ комплексым и IэнатIэм и унафэщIщ, район администрацэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэщ. 2006 гъэм и щэкIуэгъуэм щегъэжьауэ 2011 гъэм и мазае хъуху щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм псэуныгъэр къызэгъэпэщынымрэ шынагъуэншагъэмрэ я IуэхухэмкIэ и япэ къуэдзэу лэжьащ, куей администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр игъэзэщIащ. 2011 гъэм мазаем и 25 лъандэрэ Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм и къулыкъур зэрехьэ. И лэжьыгъэфIым, жылагъуэ гъащIэм зэрыщыжыджэрым къыпэкIуэу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Урысей Федерацэмрэ КъБР-мрэ мэкъумэш хозяйствэмкIэ я министерствэхэм я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ, «УФ-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» щIыхь дамыгъэр къратащ. Алокъуэ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26540.txt" }
Нобэ 1879 гъэм Софие Болгарием и къалащхьэу къалъытащ. Абы и лъабжьэр ягъэтIылъауэ щытащ илъэс миниблкIэ узэIэбэкIыжмэ. 1904 гъэм Кавказ бригадэм хыхьэ Къэбэрдей сотняр къызэрагъэпэщауэ щытащ. УсакIуэ, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуий Щыхьымбий и ныбжьыр илъэс 50 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 — 16, жэщым градуси 10 — 11 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26542.txt" }
Псом япэ итыр «Variety» журналым къыхитхыкIащ къухьэпIэ къэралхэм щыцIэрыIуэ урысей режиссерхэр. ИлъэситI и пэкIэ Венецием «Золотой лев» саугъэтыр къыщызыхьа («Фауст» фильмым папщIэ), «Золотая пальмовая ветвь» дамыгъэр зыхуэфащэхэр къыщыхах зэхьэзэхуэм щэнейрэ хэта Сокуров Александрщ псом япэ итыр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, кинорежиссерыр куэд щIауэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыпыщIащ. Абы 2009 гъэм Iыхьих хъууэ триха «Интонация» документальнэ сериалым, ди республикэм и цIыху пажэхэм ятриухуам, зи гугъу щищIахэм, къыщигъэпсэлъахэм ящыщщ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. Фильмыр «Московская премьера» кинофестивалым и лауреат хъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщаIэт щэнхабзэ Iуэхухэм щIэх-щIэхыурэ хэтщ Сокуровыр. КъБКъУ-м илъэсищ хъуауэ щолажьэ режиссерым и мастерской. Абы щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэт щIалэгъуалэ зэчиифIэм ядолажьэ Москварэ Санкт-Петербургрэ я егъэджакIуэ лъэщхэр. «Республикэм и ехъулIэныгъэр зэлъыта ныбжьыщIэхэр лъэпкъ зэхэщIыкIым и къэухьым къикIынырщ нэхъыщхьэ дыдэр. Пэжщ, ар лъабжьэ быдэщ, абыкIэ творческэ ехъулIэныгъэ зэрызэбгъэгъуэтыфынуми шэч хэлъкъым. Ауэ европей щэнхабзэм зыхагъэгъуазэмэ, я къэухьым зиужьынущ, я зэфIэкIри нэхъ къагъэлъэгъуэфынущ. Ар къащыхуэсэбэпынур режиссурэм деж и закъуэкъым», — жеIэ Сокуров Александр. ХЬЭПЭ Маринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26544.txt" }
Хъыбар пэжыр цIыхухэм псынщIэу яIэрыхьэн хуейщ Абы и лъэныкъуэкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал властым и органхэм я пресс-секретархэм я зэIущIэу КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм къызэригъэпэщар. ЗэIущIэм хэтщ Щокъарэ Залинэрэ Къумахуэ Мухьэдинрэ. Иджыпсту КъБР-м лэжьыгъэ куэд щокIуэкI, зэхъуэкIыныгъэ хъарзынэхэр щыIэщ, уеблэмэ республикэр унэтIыныгъэ щхьэхуэхэмкIэ фIыкIэ къэралым къыщыхощ. Ауэ а псори республикэм къыщыдэкI газетхэм еджэхэмрэ телевиденэм еплъхэмрэ я деж щынэмыс урохьэлIэ. «Фэращ зэлъытар къэрал властым и органхэм я лэжьэкIэм цIыхухэр и зэманым щыгъуазэ щIыныр», — къыхигъэщащ а зэIущIэм къыщыщыпсалъэм КъБР-м и Iэтащхьэм и пресс-секретарь Щокъарэ Залинэ. Апхуэдэу абы къигъэлъэгъуащ цIыхухэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэр къазэрыщыхъур зэгъэщIэн, абы папщIэ социологие къэпщытэныгъэхэр егъэкIуэкIын, ведомствэхэм я унафэщIхэр Iуэхум къыхэшэн зэрыхуейр. ФIэкIыпIэ имыIэу гулъытэ хэха хуэщIыпхъэщ КъБР-м и Правительствэм и порталым, властым и дэтхэнэ органми и официальнэ сайтым иралъхьа хъыбархэр щIэх-щIэхыурэ къэгъэщIэрэщIэжыным. «Iуэху нэхъыщхьэхэм я пэжыпIэм теухуауэ къэгъэпсэлъэн хуейщ абыхэм фIыуэ щыгъуазэ унафэщIхэр. Мис итIанэ цIыхухэм властым хуащI дзыхьми хэхъуэнущ», — и псалъэр щиухым къыхигъэщащ Щокъарэ Залинэ. КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин пресс-секретархэр къыхуриджащ я лэжьэкIэр зэпымыууэ ирагъэфIэкIуэну икIи цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм зэрапыщIар ягъэбыдэну. «Ди республикэм махуэ къэс щокIуэкI тхыгъэ хъарзынэ зытебухуэ хъуну Iуэху. Ауэ хъыбарыщIэхэм уащыхэплъэкIэ, гу лъыботэ сыт хуэдэ мыхъумыщIагъэри нэхъ къызэрыдрагъэуейр, ди щIыналъэмрэ абы щыпсэу цIыхухэмрэ зэрыщымыту къагъэлъэгъуэну хущIэкъухэр зэрыщыIэр», — жиIащ Къумахуэ Мухьэдин. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, мыпхуэдэ зэIущIэ нэхъапэкIи ирагъэкIуэкIауэ щытащ. Абы щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэмрэ я пресс-IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэр къызэрызэрагъэпэщам, ахэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм зэрапыщIам. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26547.txt" }
Ухуэныгъэхэр зэрекIуэкIым щыгъуазэ зещI Иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм щыIащ. Псом япэу ар еплъащ ведомствэр зыщIэс унэм и щытыкIэм, къекIуалIэхэр щрагъэблагъэ пэшхэм. ИужькIэ абы жиIащ социальнэ мыхьэнэшхуэ зиIэ мы IуэхущIапIэм Iэмал нэхъыфIхэр къыхузэгъэпэщын хуейуэ къызэрилъытэр. Мыбы къекIуалIэ цIыхухэм яхэтщ ныкъуэдыкъуэхэр, уз гъэтIылъа зиIэхэр икIи апхуэдэхэм я Iуэхухэр нэхъ псынщIэу дэгъэкIыпхъэщ. Зыхуэфащэ къулыкъущIэхэм абы пщэрылъ ящищIащ мы IэнатIэм и щытыкIэр егъэфIэкIуэнымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэр тхьэмахуитIым къриубыдэу къыхалъхьэну. АдэкIэ КъБР-м и Iэтащхьэр зэпкърыхауэ щыгъуазэ ящIащ 2013 гъэм КъБР-м и республикэ инвестицэ программэ щхьэхуэм хагъэхьа ухуэныгъэхэм. Псом япэу тепсэлъыхьащ республикэ клиникэ сымаджэщым хирургиемкIэ и къудамэм и унэр зэрызэрагъэпэщыжым. Абы пыщIа лэжьыгъэ псори дызэрыт илъэсым зэфIэгъэкIын хуейщ. Мы IэнатIэм сом мелуани 140-м щIигъу хухахащ. Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, сымаджэхэр зыщIэлъ пэшхэр зы цIыхум- цIыхуитIым ятещIыхьауэ, тыншыпIэ псори яIэу щытынущ. Унэм щIэт бжьамий зэмылIэужьыгъуэхэр, электрооборудованэр къанэ щымыIэу къагъэщIэрэщIэжынущ, унащхьэр зэрахъуэкIынущ, унэ щIыбыр зэрахьэнущ. Иджыпсту лэжьыгъэхэр и гуащIэгъуэу йокIуэкI. Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ зэрыжиIамкIэ, капитальнэу зэрагъэпэщыжынущ Налшык къалэм дэт сабий поликлиникитIыр, перинатальнэ центрыр. Иужьрей IуэхущIапIэм папщIэ хьэлъэзешэ лифтхэр щIэуэ къащэхуащ. Къанокъуэ Арсен хэхауэ щIэупщIащ перинатальнэ, онкологие центрхэм зэрелэжьым. Ахэр ухуэным хухаха ахъшэр сом меларди 4-м щIегъу. Дызэрыщыгъуазэщи, перинатальнэ центрыр ухуэныр «Урысей Ипщэр 2008-2012 гъэхэм» федеральнэ программэ хэхам ипкъ иткIэ 2011 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм кърагъэжьауэ щытащ. Иджыпсту а лэжьыгъэм фIыуэ хагъэщIащ. Онкологие центрыр къапщтэмэ, ар яухуэу щIадзащ «Социальнэ мыхьэнэшхуэ зиIэ узыфэхэр къэмыгъэ- хъунымрэ абыхэм ебэнынымрэ» федеральнэ программэ хэхам тету. Ар унэ щхьэхуэу тху хъууэ, а псори быдэу зэпыщIауэ щытынущ. Иджыпсту унэхэм я лъабжьэхэр щагъэжыну мащэхэр хьэзыр ящIащ. Министерствэм хиубыдэу ирагъэкIуэкI ухуэныгъэхэм ящыщу мы гъэм хьэзыр ящIыну я мурадщ Анзорей къуажэм дащIыхьа район сыма-джэщыр. Абы терапевтическэ, хирургие къудамэхэм я унэр, сымаджэхэр къэзыщтэ къудамэр, пщэфIапIэр, медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и станцыр, машинэ гъэувыпIэхэр, котельнэр, зыхуеину нэгъуэщI IэнатIэ куэди хэтынущ. Министерствэм и лэжьакIуэхэр, апхуэдэу зыхуэфащэ нэгъуэщI министерствэ зыбжанэм я унафэщIхэр хэту иригъэкIуэкIа зэIущIэм республикэм и Iэтащхьэр зэпкърыхауэ щытепсэлъыхьащ ухуэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкI щIыкIэм, ухуэныгъэ 18-м ящыщу дэтхэнэри хьэзыр щыхъуну пIалъэм, ахъшэр къызэрагъэсэбэпым. Абыхэм къадэкIуэу иджыпсту капитальнэу къызэрагъэпэщыж Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэным-кIэ и IуэхущIапIэу 26-рэ. Къанокъуэ Арсен хэхауэ жиIащ: «Сэ си щхьэкIэ сыкIэлъыплъынущ дэтхэнэ ухуэныгъэри зэрырагъэкIуэкIым. Фэри фыбэлэрыгъ хъунукъым, Iуэхур цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным щыхуэгъэзам деж. КъыщIэддзауэ IуэхущIапIэр щIэуэ дыухуэмэ, абы иджырей тыншыпIэ псори сыма-джэхэми медицинэм и лэжьакIуэхэми папщIэ яIэн хуейщ. Капитальнэу унэхэр зэрагъэпэщыжмэ, ебгъэфIакIуэ хъуну зыри къэгъэнэн хуейкъым». КъБР-м ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ и министр Мамий Артур къыхигъэщхьэхукIащ ищхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа IуэхущIапIэхэм зэрелэжьым зэпымыууэ зэрыкIэлъыплъыр икIи абыхэм ящыщ зыбжанэ дызэрыт илъэсым хьэзыр зэращIынур. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26553.txt" }