text
stringlengths
11
353k
meta
dict
КъБР-м Москва и дохутыр цIэрыIуэхэр къыдэлэжьэнущ Ди республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсенрэ Сеченовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт Япэ къэрал медицинэ университетым и ректор Глыбочко Петррэ Iэ щIадзащ лъэныкъуитIыр зэрызэдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэм. КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Шэт Ирмэ зэрыщыжиIамкIэ, а зэдэлэжьэныгъэр лъэныкъуэ зыбжанэм хуэгъэзауэ щытынущ. Къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ студентхэр, интернхэр, ординаторхэр, аспирантхэр квотэхэр хухахыурэ бюджет ахъшэкIэ къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэ цIэрыIуэм щрагъэджэнущ. Апхуэдэу а университет дыдэм я IэщIагъэм, щIэныгъэм щыхагъэхъуэфынущ республикэм и дохутырхэм. А псоми къадэкIуэу, технологие лъагэхэр къэгъэсэбэпыным тещIыхьа медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэми а еджапIэм узыншагъэр хъумэным елэжь и IуэхущIапIэхэм щызрагъэIэзэн папщIэ квотэхэр хухахынущ. ЗэгурыIуэныгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, телекоммуникацэм и Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ, ди дохутырхэр щыхуей дыдэм деж ечэнджэщыфынущ Москва дэт медицинэ университет цIэрыIуэм и щIэныгъэлIхэм.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26556.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ 1КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 8 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Тхыпхъэм и дуней щэху». СурэтыщI-орнаменталист Къарэмырзэ Фаризэт (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.10 «Кезиу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.40 «БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ округым стIолыщхьэ теннисымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэм къратыкI репортаж 18.45 «Сурэтхэм къаIуэтэж». Япэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.25 Мультфильм 19.30 «Тхъушх махуэ» 20.00 Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ махуэшхуэ концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.20 «Нобэ, пщэдей». Шэджэм къалэ дэт курыт еджапIэ №1 (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, мэлыжьыхьым и 9 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу ирагъэкIуэкIа дунейпсо турнир (12+) 8.20 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». ЦIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис зыхэт нэтын 8.50 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 9.25 «Адыгэм и дуней гъэлъэгъуэкIэ». Адыгейм щыщ сурэтыщI Бидэнокъуэ Мэлычхъан (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «ШэрыIужь Анатолэ ягу къагъэкIыж». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, режиссер ШэрыIужь Анатолэ и фэеплъ пшыхь 18.35 «Сурэтхэм къаIуэтэж». ЕтIуанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.25 Мультфильм 19.45 «Энеев Тимур и хьэрш». Япэ фильм 20.20 «Тайм-аут». Спорт тележурнал 20.40 «ЩIэдзапIэ». «Урал-моно» дунейпсо зэпеуэм и лауреат Атмурзаев Эльдар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.10 «Гъуазджэм и бзэкIэ». СурэтыщI ПщыхьэщIэ Хьэсэн (адыгэбзэкIэ) (12+) Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 10 7.00 Мультфильм 7.15 «Дэрэжэгъуэ». УсакIуэ Беппаев МутIалип (балъкъэрыбзэкIэ). (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Ар фщIэн хуейщ». Медицинэ хъыбарыщIэхэр 8.25 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 8.40 «Орайда». Концерт. ПэщIэдзэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.30 «Унагъуэ». Налшык къалэ щыпсэу Батырхэ я унагъуэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «Седьмая скорость». Автомобилистхэм папщIэ (12+) 18.25 «Гухэлъ уэрэдхэр». Лирическэ концерт (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.25 Мультфильм 19.50 «Энеев Тимур и хьэрш». ЕтIуанэ фильм (12+) 20.25 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу». КъБКъУ-м и егъэджакIуэ нэхъыжь Хочуев Исмэхьил (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.55 «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «Лъэпкъым и набдзэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, мэлыжьыхьым и 11 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «ЦIыху». Журналист Ахматовэ Мариям (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7 55 «Ди псэлъэгъухэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.30 «Орайда». Концерт. КIэухыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.20 «Унэ цIыкIу». «Теремок» урыс цIыхубэ таурыхъым тращIыкIа постановкэ (адыгэбзэкIэ) (6+) 18.00 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.30 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.25 Мультфильм 19.35 «Энеев Тимур и хьэрш». Ещанэ фильм (12+) 20.20 «КъэкIуэнур нобэрей махуэм пыщIащ». Актрисэ, театровед Жэман Аминэ 20.55 «Абы и дуней». Жабоевэ Зайнаф, ЛашкIутIэ къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.15 «Улажьэм лыжь пшхынщ». «Налшык шэ комбинат» ООО-р (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, мэлыжьыхьым и 12 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Адыгэ шхыныгъуэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Зэманым екIуу» (12+) 8.20 «Жьэгу». КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Баккуев Владимир. Япэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.55 «ЛIэщIыгъуэхэм я джэ макъ» (адыгэбзэкIэ) 9.10 «Узыншэу фыщыт» (адыгэбзэкIэ) 9.30 «Зыри тщыгъупщакъым». Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №30 (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «Чемпионхэр». СССР-м футболымкIэ спортым и мастер Давыдов Игорь (12+) 18.25 «Шукур, энтта тюбедик!…». УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля. Ещанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.25 Нобэ Космонавтикэм и махуэщ. Энеев Тимур (12+) 19.45 «Уэрэдыр ди гъащIэ дамэщ». Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэм и лэжьакIуэхэм я концерт. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.25 «Республикэм хуэгъэзауэ». Iуащхьэмахуэ район администрацэм и Iэтащхьэ Малкаров Аслъэн (16+) 20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, мэлыжьыхьым и 13 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 СурэтыщI Калкутин Андрей (12+) 7. 40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Жьэгу». КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Баккуев Владимир. ЕтIуанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.25 «ЦIыкIураш». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.40 «Усэбзэм и купсэм». Аброкъуэ Бэллэ и усыгъэр (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.40 Мультфильм 17.00 ХьэIупэ ДжэбрэIил. Флейтэмрэ адыгэ пшынэмрэ я сонатэ (12+) 17.30 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 17.50 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 18.20 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 18. 35 «ЩIалэгъуэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.55 «Уэрэдыр ди гъащIэ дамэщ». Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэм и лэжьакIуэхэм я концерт. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.35 «КъэкIуэнур зейхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.00 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 20.15 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 14 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «ТВ-галерея». Актер Нало Аскэр къызэралъхурэ илъэс 60 ирокъу (12+) 7.45 «Ойнай, ойнай». ГушыIэ программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 08 05 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 8.20 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Сосмакъ Валентинэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.55 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.50 Мультфильм (6+) 17. 00 «Ретроспектива». «Тэрч хьэгъуэлIыгъуэ». Телефильм 17.30 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». Декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ IэпщIэлъапщIэ Тхьэзэплъыж Руслан (12+) 18.00 «Нэхъ лъапIэ дыдэ». ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и доцент ЩауэцIыкIу Людмилэ (12+) 18.30 «Ар фщIэн хуейщ». Медицинэ хъыбарыщIэхэр (12+) 19.00 «IэпщIэлъапщIэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.30 «Бажэ пшынэ». Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIа IуэрыIуатэ-этнографие фестивалыр (адыгэбзэкIэ) (6+) 20.00 «Адыгэ хьэблэ». Къаныкъуэ Заринэ и тхылъыр утыку кърахьэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 8 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 21.15 «Хамэ сабий щыIэкъым» программэр Гъубж, мэлыжьыхьым и 9 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 9.30 «Макъамэ пощт» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «Без фальши» телевизионнэ клуб 21.00 «Зэманым и лъэужь» программэр Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 10 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «Тау той». Махуэшхуэ концерт Махуэку, мэлыжьыхьым и 11 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIахэр» 9.30 «Макъамэ пощт» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей…» УФ-м щIыхь зиIэ и журналист АфIэунэ Рае (адыгэбзэкIэ) Мэрем, мэлыжьыхьым и 12 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 20.40 «Вояж» программэр Щэбэт, мэлыжьыхьым и 13 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIахэр» 10.35 «Макъамэ пощт» Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 14 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр ВГТРК-м и радио Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 8 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 «Гъатхэ гукъыдэж». Концерт (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Маммеев Ибрэхьим. «ШыщIэ хужь». Япэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 14.00 Лыкъуэжь Нелли. Радиопостановка «Жьуджалэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, мэлыжьыхьым и 9 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 ««Уэрэдхэмрэ къызэрыфэ пшыналъэхэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Маммеев Ибрэхьим. «ШыщIэ хужь». ЕтIуанэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Высоцкий Владимир. «Вагъуэхэм теухуа уэрэд». 13.25 — 13.45 «ЧЕГЕТиЯ-2013». 13.40 — 14.00 «Таурыхъхэм я ауз» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 10 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 «Макъамэмрэ псалъэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Таукенова М. «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Гуртуев Эльдар. «Мазэм и макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 13.45 «Узыншагъэм и центрым и IуэхущIафэхэр». 13.45 — 14.00 Горький Максим. «Макар Чудра». Махуэку, мэлыжьыхьым и 11 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ». Нэгузегъэужь нэтын. 10.15 — 10.30 «Театрхэм я лъагапIэ». «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» спектаклым теухуауэ (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 14.00 Зы джэгуакIуэм и театр. «Кармен» теухуауэ. Мэрем, мэлыжьыхьым и 12 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.40 «Си щIыналъэ». Концерт (адыгэбзэкIэ). 7.40 — 8.00 «Ууаз». Диным теухуа упщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Къэбэрдей-Балъкъэрым и усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и рассказ кIэщIхэр. 13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ». Щэбэт, мэлыжьыхьым и 13 10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр». 12.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 «Зэгъусэу дыкъоджэ». Гъатхэр Пришвин Михаил и рассказхэм къызэрыхэщыр. Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 14 10.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр. 10.25 — 11.00 Мамин-Сибиряк Д.Н. «Маяй». Радиоинсценировкэ. КъБР-м и радио Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 8 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00-9.20 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05 — 14.35 «ГушыIэм и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, мэлыжьыхьым и 9 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.30 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.53/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Классикэ макъамэм и концерт» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.35 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 10 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «Адэжь щIыналъэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Салам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, мэлыжьыхьым и 11 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм папщIэ ятха пьесэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.37/17.42 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.47/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 «Гухэлъ уэрэдхэр». Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.45 — 11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25 — 12.45 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 14.05 — 14.35 «Пшыналъэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, мэлыжьыхьым и 12 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/16.35 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, мэлыжьыхьым и 13 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «ЛIэщIыгъуэр лIэщIыгъуэм кIэлъыкIуэу» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Илъхьам» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ). 10.00 — 10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузыужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00 — 14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 14 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ). 10.40-10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35 — 14.00 «Уэрэд, къызэрыфэ пшыналъэ цIэрыIуэхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26563.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионатым щIедзэ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм зи чэзу зэхьэзэхуэм иджыблагъэ щыщIадзащ. Ар гуащIэ зэрыхъунум и щыхьэтщ нэгъабэрей чемпионыр етIуанэ джэгугъуэм къызэрыщыхагъэщIар. Зэхьэзэхуэм и япэ джэгугъуэм текIуэныгъэр къыщахьащ 2012 гъэм чемпион хъуа «Автозапчасть»-м, абы къыкIэлъыкIуа «Кэнжэмрэ» «Бахъсэнымрэ». АрщхьэкIэ къыкIэлъыкIуэ зэIущIэхэм Бахъсэн къалэм и командитIри къыщыхагъэщIащ. Псом хуэмыдэу удынышхуэ къытехуащ «Автозапчасть»-м. И стадионым щыIэжу абы «Кэнжэр» 5:1-уэ къызэтригъэкIуащ. «Бахъсэнри» гуп нэхъыщхьэм мы гъэм къыхыхьагъащIэ «Прохладнэм» къыхигъэщIащ. Нэгъабэ топ 55-рэ дэзыгъэкIыу чемпионатым и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ хъуа ШащIэ Беслъэн аргуэру жыджэру къыщIидзащ. Ар щэнейрэ къызэрыхэжаныкIам и фIыгъэкIэ «Къэхъуныр» Сэрмакъ щытекIуащ. Щыгъуазэ фыхудощI КъБР-м и чемпионатым и пэщIэдзэ зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм: япэ джэгугъуэ — «Бахъсэн» (Бахъсэн) — «Къэбэрдей» (Шэрэдж Ищхъэрэ) — 5:1, «Нарт» (Нарткъалэ) — «ДЕР» (Щхьэлыкъуэ) — 1:1, «ГидроЭС» (Налшык) — «Шагъдий» (Зеикъуэ) — 2:0, «Спартак-31» (Налшык) — «Велес» (Къэрэгъэш) — 1:1, «Автозапчасть» (Бахъсэн) — «Эльбрус» (Тырныауз) — 1:0, «Кэнжэ» (Кэнжэ) — «СК-Союз-Сэрмакъ» (Сэрмакъ) — 4:1, «Къэхъун» (Къэхъун) — «Прохладнэ» (Прохладнэ) — 0:1, «Тэрч» (Тэрч) — «Ислъэмей» (Ислъэмей) — 3:2, «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — 1:4; етIуанэ джэгугъуэ — «Эльбрус» — «ЛогоВАЗ» — 0:1, «Велес» — «Шэджэм-2» — 6:3, «СК-Союз-Сэрмакъ» — «Къэхъун» — 1:3, «Автозапчасть» — «Кэнжэ» — 1:5, «Шагъдий» «Спартак-31» — 2:3, «ДЕР» — «ГидроЭС» — 0:3, «Ислъэмей» — «Нарт» — 4:1, «Къэбэрдей» — «Тэрч» — 3:1, «Прохладнэ» — «Бахъсэн» — 3:2. Ещанэ джэгугъуэм щызэIущIэнущ «Тэрч» — «Прохладнэ», «Нарт» — «Къэбэрдей», «ГидроЭС» — «Ислъэмей», «Спартак-31» — «ДЕР», «Кэнжэ» — «Эльбрус» , «Къэхъун» — «Автозапчасть», «Шэджэм-2» — «Шагъдий», «Бахъсэн» — «СК-Союз-Сэрмакъ», «ЛогоВАЗ» — «Велес» командэхэр. Къэхъун Бэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26565.txt" }
Дызэрыщытауэ зэкIэ дыкъонэж «Торпедо» (Мэзкуу) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 1:1 (0:0). Мэзкуу. «Лужники» БСА. Мэлыжьыхьым и 2-м. ЦIыху 1250-рэ еплъащ. Хэгъэрейхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр налшыкдэсхэм зэтраIыгъэ. Судьяхэр: Куликов (Саранск), Кулалаев (Волгоград), Усачёв (Дон Iус Ростов). «Торпедо»: Довбня, Ефимов, Молодцов, Князев, Тесак, Бояринцев (Безлихотнов, 84), Татарчук (Войнов, 61). Стеклов, Газинский, Лабукас (Гаурач, 71), Обухов (Скепский, 53), Арсеньев, «Спартак-Налшык»: Коченков, Засеев, Овсиенкэ (Джудович, 46), Тимошин, Багаев, Буйтрагэ (Коронов, 85), Зинович, Концедалов, Руа Карлос (Сирадзе, 90+2), Аверьянов, Медведев. Топхэр дагъэкIащ: Медведевым, 48 (0:1). Скепский, 81 (1:1) Дагъуэ хуащIащ Газинскэм, Безлихотновым, Молодцовым. Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым джэгугъуэхэр блыщхьэмрэ гъубжымрэ екIуэкI хабзэщ. Абы къыхэкIыу етIуанэ махуэм зи зэIущIэхэр езыгъэкIуэкIхэм Iэмал яIэщ я хьэрхуэрэгъухэм зыкъызэрагъэлъэгъуам елъытауэ я Iуэхухэр яубзыхуну. «Спартак-Налшыкми» иджы апхуэдэу ищI хъунут. Блыщхьэм екIуэкIа джэгугъуэ махуэм премьер-лигэм щIэбэнынымкIэ ди хьэрхуэрэгъу псоми очко тIурытI-щырыщ ягъэкIуэдат, нэхъыбэм ар къыщащIар я стадионхэрат. Налшыкдэсхэм Iэмал гъуэзэджэ ягъуэтат ещанэ-еплIанэ увыпIэм зыщагъэбыдэну. Абы щхьэкIэ «Торпедо»-р Мэзкуу щыхагъэщIэн хуейт. Ар тынш зэрымыхъунур IуэхугъуитIым наIуэ къыпщащIырт. Япэрауэ, зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щыджэгуу, мы командэхэм я зэпэщIэтыныгъэр «Спартак-Налшыкым» и текIуэныгъэкIэ езыгъэуха топыр (2:1) судьям къыщIигъуа зэманым пенальтикIэ зэрыдагъэкIам псалъэмакъышхуэ кърахауэ щытати, ар псоми ящIэжырт. ЕтIуанэрауэ, Шэшэным и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан судьяхэр зэригъэпудам Кавказ Ищхъэрэм и командэхэр хуабжьу щытыкIэ гугъум иригъэуващ. Абы иужькIэ Грознэ и «Тэрчыр» 0:3-уэ, Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-р 0:4-уэ, Владикавказ и «Алания»-р 0:4-уэ урысей чемпионатым зэуэ къыщыхагъэщIащ. Ар судьяхэм зэгурыIуауэ ялэжь хьэгъэщагъэу куэдым къалъытащ. Шынагъуэ щыIэт «Спартак-Налшыкми» «джэдылIэм зэдихьа бабыщыжьым» и махуэр къыхуэкIуэнымкIэ. АрщхьэкIэ, ди насыпти, апхуэдэу къэхъуакъым икIи псори щызэхэкIар джэгупIэ губгъуэрщ. Япэ дивизионым къыхагъэкIынкIэ шынагъэшхуэ зиIэ хэгъэрейхэм зэIущIэр хуабжьу жыджэру къыщIадзащ. Нэрылъагъут, мыгъэрей зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм щIэуэ къыхуагъэкIуа тренер цIэрыIуэ Игнатьев Борис япэ текIуэныгъэмкIэ ягъэгуфIэну абы и футболистхэр зэрыщIэхъуэпсыр. Адрей тIур зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, иухат. Налшыкдэсхэм ихъуреягъкIэ зыкърагъэбыдэкIат, арщхьэкIэ «Торпедо»-м и гъуащхьауэхэм Iэмал гъуэзэджэхэр къащыхукъуэкI щIэх-щIэхыурэ къэхъурт. А дакъикъэхэм хъарзынэу зыкъигъэлъэгъуащ къыщалъхуа махуэр мы джэгугъуэм техуа ди гъуащхьэтет Коченков Антон. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэжрэ ирагъэкIуэкIа зэIущIищми топ зэрыщыдимыгъэкIам ар адэкIи тетыну хуейт. «Спартак-Налшыкым» хуэм-хуэмурэ джэгур зэтриублэжащ икIи ебгъэрыкIуэныгъэхэр къызэригъэпэщ хъуащ. Апхуэдэхэм ящыщ зым Медведевыр хэгъэрейхэм я штрафной ихьэпIэм щраудащ. Ар зыгъэзэщIа Концедаловым зы мащIэкIэ гъуэм хуигъэзэфакъым. Джэгум и япэ Iыхьэр щиухым Аверьяновымрэ Медведевымрэ я закъуэу «Торпедо»-м и гъуащхьэтетым и пащхьэм къыщихутащ. Iэмал гъуэзэджэ щыIэт бжыгъэр къызэIуахыну. АрщхьэкIэ Аверьяновым топыр хуэгъэIурыщIакъым икIи и къару къызэрихькIэ еуэри, Довбня къриуда фIэкIа нэгъуэщI фейдэ къыхихакъым. Загъэпсэхуу къызэрихьэжу налшыкдэсхэм я насып къикIащ. Буйтрагэ езыр мылъагащэми, хэгъэрейхэм я гъуащхьэтетым топыр щхьэкIэ къыIэщIихащ икIи абы япэу нэса Медведевым бжыгъэр къызэIуихащ. Новосибирск бэджэнду къыщащта гъуащхьауэр апхуэдэ щIыкIэкIэ ещанэ зэIущIэм зэкIэлъхьэужьу къыщыхэжаныкIащ. ЖыIапхъэщ мы гъэм «Спартак-Налшыкым» дигъэкIа топиплIым ящыщу щыр абы къызэрылъысыр. Япэ ища налшыкдэсхэм иджы я къалэн нэхъыщхьэр текIуэныгъэр къахуэзыхь бжыгъэр яхъумэнырт. Ар Iуэху тынштэкъым, «Торпе-до»-м адэкIэ икIуэтыпIэ зэримыIэр къэплъытэмэ. «Спартак-Налшыкым» зыкъомрэ хъарзынэу зихъумэжащ. Къыпщыхъунут абыхэм арэзы къэзыщI бжыгъэр яхъумэфыну. АрщхьэкIэ Джудович и щыуагъэм текIуэныгъэр яIэщIигъэкIащ. Япэ Iыхьэм фэбжь зыгъуэта Овсиенкэ и пIэкIэ кърагъэхьа налшыкдэсхэм я капитаным топыр хуэмыгъэIэкIуэлъакIуэу угловойм игъэкIуащ. Хэгъэрейхэм ар Iэзэу ягъэзащIэри, ди гъуащхьэхъумэхэр зытеплъэкъукIа Скепскэм бжыгъэр зэхуэдэ ирагъэщIыжащ. Арати, зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, мы зэIущIэр иухащ. Ар зэрекIуэкIар къэплъытэмэ, «Спартак-Налшыкым» очкоитI игъэкIуэдащ, ауэ Санкт-Петербургрэ Мэзкуурэ зэкIэлъхьэужьу щрагъэкIуэкIа джэгугъэ гугъуитIым хъарзынэу зыкъызэрыщагъэлъэгъуар (зы текIуэныгъэрэ зэрытемыгъэкIуарэ) къэплъытэмэ, премьер-лигэм зэрыщIэбэнынум и лъабжьэр ягъэтIылъащ икIи и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэм ялъэщIыхьэжащ. АдэкIэ псори зэлъытыжар езыхэращ. Зи чэзу джэгугъуэм иужькIэ япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыIыгъ командэми зихъуэжащ. Иджыри къэс бжьы- пэр зымыутIыпща Томск и «Томь»-р Екатеринбург щыIэу щIыпIэ «Урал»-м 0:2-уэ къызэрыхигъэщIам ар къригъэкIуэтэхащ. АдэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ адрей командэхэм блыщхьэмрэ гъубжымрэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм: «Ротор» (Волгоград) — «Енисей» (Красноярск) — 0:1, «Сибирь» (Новосибирск) — «Шинник» (Ярославль) — 2:2, «Химки» (Мэзкуу область) — «Нефтехимик» (Нижнекамск) — 0:0, «Уфа» (Уфа) — «Петротрест» (Санкт-Петербург) — 1:2, «Волгарь» (Астрахань) — «СКА-Энергия» (Хабаровск) — 0:1, «Салют» (Белгород) — «Металлург-Кузбасс» (Новокузнецк) — 1:0. КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» и стадионым щригъэкIуэкIынущ. Мэлыжьыхьым и 9-м абы къригъэблэгъэнущ Астрахань и «Волгарь»-р. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26566.txt" }
Гури псэри зыхьэху гъатхэ Налшык и Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм усэ пшыхь гукъинэж иджыблагъэ щекIуэкIащ. «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ, «Жан» республикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Заринэ и «Адыгэ хьэблэ» тхылъыр абы утыку къыщрахьащ. Ар къыдигъэкIащ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм. Къаныкъуэ Заринэ и усэхэм къоджэ. ХьэIупэ ДжэбрэIил и псалъэ. Еуаз Зубер шыкIэпшынэр егъэбзэрабзэ. «ШыкIэпшынэ» ансамблым хэт пщащэ. Хабзэ хъуауэ, гъэм и зэман зэблэкIыгъуэхэм деж къызэрагъэпэщ зэхыхьэхэм я зи чэзум цIыху куэд кърихьэлIат. Гъатхэм и теплъэгъуэхэмкIэ гъэщIэрэщIа сценэм гур хигъахъуэрт, псэр зыхуэныкъуэ усэм щIэдэIуным хуэпIащIэу. Къызэхуэсахэм я нэгум къищырт мы пшыхьым зэрыхуэзэшар. АтIэми, псом хуэмыдэжу гъэм щидахэгъуэ, дунейм щищIэрэщIэгъуэ, гурыщIэхэр къыщыуш гъатхэм теухуа усэ уедэIуэныр сыт и уасэт? Пшыхьым кърихьэлIахэр. «Адыгэ хьэблэ» тхылъым и тебзэр екIуу зыгъэщIэрэщIа сурэтыщI Аккизовэ Имарэрэ редактор Мыкъуэжь Анатолэрэ Заринэ фIыщIэ яхуищIа нэужь, къыхигъэщащ абы пэублэ псалъэр хуэзытха щIэныгъэлI, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур ар къыдэкIауэ зэримылъэгъуар и жагъуэ зэрыхъур. Къаныкъуэ Заринэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ, филолог Дзэгъащтэ Азэмэт сымэ «Адыгэ хьэблэ» сборникым ихуа усэхэм къеджащ. Абыхэм ущедаIуэкIэ аргуэру зэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым ди бзэм и къулеигъэмрэ усэм гупсэхугъуэу къуитымрэ. Еуаз Зуберрэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым и «ШыкIэпшынэ» ансамблым хэтхэмрэ макъамэ Iэмэпсымэхэр ягъэбзэрэбзащ, Беслъэней Ренатэ игъэзэщIащ Къаныкъуэ Заринэрэ Увыж Анзоррэ къэфакIуэ цIэрыIуэ Шэру Соня теухуауэ зэдатха уэрэдыр. композитор, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил, КъБР-м и Профсоюзхэм я федерацэм и лIыкIуэ Жэмыхъуэ Мадинэ, къыдеджахэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ авторым къехъуэхъуащ и усэ тхылъыр махуэ хуэхъуну, дяпэкIи ехъулIэныгъэщIэхэр иIэну. Заринэ и Iыхьлы Къаныкъуэ Розэ зэIущIэм кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ, и шыпхъур зэрагъэлъэпIам папщIэ. И тхылъым «Адыгэ хьэблэ» щIыфIищам, лъэпкъ усыгъэм и къэкIуэнум, абы узыгъэгуфIэу хэлъхэм, цIыхум и хьэл нэхъыфIу къилъытэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ къызэхуэсахэр зыщIэупщIахэм Заринэ жэуап яритащ. ЗэIущIэр къызэзыгъэпэщахэмрэ езыгъэкIуэкIахэм- рэ ядэIэпыкъуащ адыгэ Iуэхухэр дэкIыным сыт щыгъуи сэбэп хуэхъу Шыбзыхъуэ Астемыррэ Уэртэн Юлиерэ. НыбжьыщIитIым адыгэ фащэ екIур къащыпсу мыпхуэдэ зэхыхьэ гуапэхэм екIуалIэу зылъагъухэр абы ирогушхуэ. Усэмрэ шыкIэпшынэмрэ щызэщIэжьыуэ пшыхь гукъинэжым хэтахэр зэбгрыкIыжащ зэIущIэр езыгъэкIуэкIа Гумэ Маринэ къызэригъэгугъа гъэмахуэ пшыхьыр зэхуапIалъэу. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26569.txt" }
Зи гъащIэ лъэужьыр дахэ ИугъащIэ гъащIэу къэбгъэщIам, Ар цIыхум хуэбгъэщIащи. ИугъащIэ быну къыпщIэхъуам, Хэкупсэу ахэр уэ бгъэсащи. Илъэс 70 гъащIэ! Зауэ мафIэр зи щIэдзапIэ, гъащIэ гъуэгур зи зекIуапIэ. Ухуэпсэуа уэ лъэпкъым? Уи пщIэнтIэпскIэ щIыр пшэра? УифI цIыху лъэпкъым ебгъэкIа? Ар щытамэ уи хъуэпсапIэу, ущылъэужьыншэкъым мы щIылъэм, пхуэфащэщ уэ къэбгъэщIар. Зи ныбжьыр илъэс 70 ирикъуа Шыгъушэ Хьэбил хуэжэуапыншэкъым тхыгъэм и щIэдзапIэм щыдгъэува упщIэхэм. КIыщокъуэ Алим зэрыжиIащи: Насып мыухыр зи гуращэр Махуэл и гъуэгум щыхуэмей, Псэуну гъащIэ зыхуэфащэр МыувыIэу кIуэхэр аркъудейрщ. Апхуэдэу гъащIэр хуэфащэу мэпсэу Хьэбил. Зауэ лъэхъэнэм халъхуащ ар, и сабиигъуэм къыщыщIэдзауи тыншакъым. Зыхуей ямыгъуэтами, мэжэщIалIагъэм зэщIиIыгъами, къэхъуащ щIалэ цIыкIур гущэпс быдэу. Жанхъуэтекъуэ къуажэ школыр къиуха нэужь, адэкIи еджэным зи нэ къыхуикI Хьэбил Налшык кооператив техникумым щIэтIысхьэри, ехъулIэныгъэкIэ кърихьэлIащ. «Iуащхьэмахуэ» райпом, «Эльбрусский» совхозым щыщылэжьа зэманым щIэныгъэ зэрыбгъэдэлъым, зэфIэкIышхуэ зэриIэм гу къылъатэри, и лэжьэгъухэр къечэнджэщ хъуащ. Ауэ Хьэбил зыхуэарэзыжтэкъым — хуейт адэкIи и щIэныгъэм хигъэхъуэну, ауэ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ и адэ-анэм яфIэлIыкIырт, и еджэным текIуэдэну мылъкури зэпилъытырт. И къуэшхэу Мухьэмэдрэ ФуIэдрэ абы и гурыгъухэм гу лъатэри жаIащ: — ЩIэныгъэм уи насып хэлъщ. Ди адэ-анэм щхьэкIэ умыгузавэ, дэри зэрытлъэкIкIэ дыбдэIэпыкъунщ, еджэ. Апхуэдэу, зи унафэ щIэт нэхъыжьыфI Нэхущ Хьэмидбий, и адэ Мулид, и къуэш нэхъыжьхэм трагъэгушхуэри, Орджоникидзе дэт мэкъумэш институтым 1965 гъэм щIэтIысхьащ. Хьэбил щыстудента зэманыр тыншу екIуэкIауэ жыпIэ хъунукъым. Ар жэщкIэ хъумакIуэу лажьэрт, махуэкIэ еджэрт. Ауэ гугъуехьхэм къапикIуэтакъым Хьэбил икIи еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. ЩIалэ жыджэрым щIэныгъэфI зэригъуэтам гу лъатэри, институтым егъэджакIуэу къагъэнэжащ. Адыгэ щIалэм и унафэщIхэм я щытхъушхуэ къилэжьырт, и лекцэ купщIафIэхэмкIэ студентхэр къыдихьэхырт. ЖыпIэнурамэ, псоми гунэс ящыхъуат щIалэр. Уи лэжьыгъэр фIыуэ плъагъумэ, абы ухуэпэжмэ, уи Iуэхур дэкIынущ. ЩIэныгъэм и лъагапIэм лъэIэсыну сыт щыгъуи зи хъуэпсапIэ Хьэбил а институтым егъэбыдылIа аспирантурэм щIэтIысхьащ. Абы зы илъэскIэ фIэкIа щемыджауэ, бухгалтерхэр щагъэхьэзырыну КъБКъУ-м къыщызэIуаха къудамэм щригъэджэну къраджэжащ. Абы и пщэм къыдэхуат япэ бухгалтер IэщIагъэлIхэр къыщIигъэкIыну. А лэжьыгъэми ар хъарзынэу ехъулIащ. Зи щIэныгъэр шэрыуэу къэзыгъэсэбэпыф Хьэбил къызэрагъэпэщ хозяйствэхэм я унафэщIхэм, правительствэм хэтхэм чэнджэщэгъу ящIырт. Шыгъушэхэ я унагъуэр. Ар щылэжьащ республикэм и «Мэкъумэштехникэ» зэгухьэныгъэм, «Щхьэлыкъуэ», «Налшык», нэгъуэщI совхозхэми. Бухгалтер нэхъыщхьэу дэнэ ягъэкIуами, Хьэбил IэщIыб ищIакъым фIыуэ илъагъу егъэджэныгъэ IэнатIэр, и студентхэр, и лэжьэгъухэр. Езыри IэщIыб къащIакъым. Хозяйствэ лэжьыгъэм хуэIэижь Шыгъушэр еджапIэхэм ирагъэблагъэурэ лекцэ кърагъаджэрт. Уи сэбэп цIыхум екIмэ, гъащIэм щхьэпэ узэрыщыхъур уэ зыхэпщIэжмэ, а гурыфIыгъуэм узэщIещтэри, абы къыпхилъхьэ тегушхуэныгъэм уи акъылыр еунэтI, Iэпкълъэпкъым хэлъ лъынтхуэ псори къызэщIоушэри, хэкум, лъэпкъым я зыужьыныгъэм нэхъыбэ зэрыхэплъхьэным ухуолажьэ. Мис апхуэдэу мэпсэу Шыгъушэ Хьэбил. И пщIыхьым хэмыкI егъэджэныгъэм пимыщэжын хузэфIэмыкIыу, 2002 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал академием (иджы университетщ) игъэзэжащ. ЕхъулIэныгъэ иIэу кандидат диссертацэр пхигъэкIри, «Бухгалтерский учет» кафедрэм доценту щылэжьащ. АбыкIэ сэбэпышхуэ къыхуэхъуауэ Хьэбил фIыкIэ игу къинэжащ профессор Жэрыкъуэ Борис, нэгъуэщI куэди. Бын пэлъытэ хуэхъуа студентхэр иригъэджэн щIэзыдзэжа Шыгушэм щIэныгъэм къыдэкIуэу, цIыхугъэ лъагэ, жэуаплыныгъэ яхэлъу щытын зэрыхуейм хуиущийрт ахэр. НыбжьыщIэхэми езым хэлъ хьэл-щэн дахэм щапхъэ трахырт. Хьэбил псэлъэгъу пхуэхъуа нэужь, и ехъулIэныгъэхэм я гугъу къыпхуищI нэхърэ нэхъ къещтэ и лэжьыгъэр щилъагъуж и студентхэм я зэфIэкIхэм, и ныбжьэгъухэм къыпхутепсэлъыхьыныр. Къытригъэзэжурэ зи цIэ къриIуэхэм ящыщщ иригъэджахэу экономикэ щIэныгъэхэм я докторхэу Къанщыкъуей Валерэ, Щоджэн БетIал, Бекъул Хьэбас, нэгъуэщI куэди. Абы и хьэл къащтауэ, иригъэджа куэдым я щIэныгъэм хагъахъуэ зэпыту УФ-м и къалэхэм щолажьэ. КъБР-м и Правительствэм и унафэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш академием 2003 гъэм къыщызэIуахащ бухгалтерхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ центр. Абы къалэн куэд игъэзэщIэн хуейт. А лэжьыгъэшхуэр и пщэ къралъхьащ бухгалтер IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI Шыгъушэ Хьэбил, а методикэ центрым и унафэщIи ящIащ. Махуэл димыхыу, и пщэ къралъхьа къалэныр гъэзэщIэным яужь ихьащ. Ар мыIуэху тыншми, абы хузэфIэкIащ а лэжьыгъэри егъэджэныгъэри зэдихьыну. Бухгалтер IэщIагъэлIхэр игъэхьэзырыну хуит зыщI тхылъ (аттестацэ) 2003 гъэм къратащ. Методикэ центрым я щIэныгъэм щыхагъэхъуащ республикэм и щIыналъэхэм я бухгалтер нэхъыщхьэхэм икIи IуэхущIапIэ куэдым я фIыщIэ къилэжьащ. УМЦ-м и унафэщI къалэным и мызакъуэу, Хьэбил мэкъумэш академием «Бухгалтер къэпщытэныгъэмрэ аудитымрэ» и факультетым и методикэ комиссэм и унафэщIу лэжьащ. Иджыри сыт хуэдэ Iуэхуми жыджэру хэтщ. Шыгъушэ Хьэбил и зэфIэкIхэм утепсэлъыхьмэ, студентхэм, бухгалтерхэм щIэгъэкъуэнышхуэ яхуэхъу щIэныгъэ лэжьыгъэ, тхылъ куэд итхащ. Ахэр псори хуэунэтIащ финанс Iуэху зехьэкIэмрэ бухгалтер къэпщытэныгъэмрэ республикэм щегъэфIэкIуэным. И IэщIагъэм куууэ зэрыхищIыкIыр, абы Iэзагъ ин къызэрыщигъэлъагъуэр къалъытэри, Шыгъушэм «Урысейм и бухгалтер нэхъыфI» орденыр къыхуагъэфэщащ. И лэжьыгъэфIым къыпэкIуэ апхуэдэ и «гъэтIылъыгъэхэм» диплом, щытхъу тхылъ, саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэр къахохъуэ. Хьэбил еш имыщIэу гъащIэм щыпэрытщ. Хэкури, лъэпкъри, щIэблэри къыфIэIуэхуу мэлажьэ. Зигури зи псэри къабзэ цIыхум Алыхьри доIэпыкъу. Си гуапэу фэзгъэцIыхуну сыхуейщ гъащIэм сыт и лъэныкъуэкIи дахэу хэзагъэ Шыгъушэ Хьэбил и унагъуэри. И лэжьыгъэ IэнатIэр къыдагъэпсынщIэу абы къыкъуэтщ ахэр. Я унэгуащэ Хьэлимэт цIыху гуапэщ, нэфIэгуфIэщ, и щхьэгъусэм и Iуэхухэр кIуэтэнымкIэ ар щIэгъэкъуэнышхуэ мэхъу. ЖыпIэнурамэ, унагъуэ Iуэхухэр нэхъ зытегъэщIар аращ. ЩIалищ яIэщи, зыхуей хуагъазэу япIащ, ягъэсащ. Адэ-анэфIым я хьэл-щэн дахэхэр я бынхэми яхэлъщ — псоми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ, дэтхэнэри унагъуэ хъужауэ мэпсэу. Я къуэ нэхъыжь Азрэт хьэрычэтыщIэщ. Абы и щхьэгъусэ Мадинэ дэрбзэрщ, «И Iэпэм дыщэр къыпощ» зыхужаIэхэм хуэдэщ, нэмысышхуэ хэлъщ. Абыхэм бын цIыкIуищ яIэщ: Нарт, Замирэт, Залым. Нарт спортым дехьэх — бэнэным зыхуегъасэри, адэшхуэр и ехъулIэныгъэхэмкIэ егъэгуфIэ. Я щIалэ курыт Заур КъБР-м и Парламентым щолажьэ — комитетхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ управленэм и чэнджэщэгъущ. Абы и щхьэгъусэ Лилэ щытхъу зиIэ егъэджакIуэщ. БынитI яIэщ — Лаурэрэ Артуррэ. Я бын нэхъыщIэ Тимур Налшык къалэ дэт Пенсэ фондым и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэу щолажьэ. Абы и щхьэгъусэ Хьэлимэт сабий садым и методистщ. Абыхэм щIалэ цIыкIуитI яIэщ — Ахьмэдрэ Iэдэмрэ. Ахэр псори дадэрэ нанэрэ я гурыфIыгъуэщ. Зэнысэгъухэр зэшыпхъум хуэдэу зэгурыIуэ-зэдэIуэжу къызэдокIуэкI, Хьэбилрэ Хьэлимэтрэ я псэм къытехуэ бын пэлъытэ яхуэхъуащ. ТIуми жаIэр зыщ: «Пхъу зиIэм драгъэхъуапсэркъым, ди нэмыс яIыгъщ, къытхуосакъ. Ди жьыщхьэр тхуагъэдахэ». Ныбжьэгъу пэжхэмкIи Тхьэр зыхуэупсахэм ящыщщ Хьэбил. Гурэ псэкIэ зэрыгъэпэжу, гуфIэгъуэми гузэвэгъуэми зэрыгъуэту къызэдэгъуэгурыкIуэ зэныбжьэгъу псоми мы тхыгъэ мыиным я гугъу щытхуэмыщIми, абыхэм ящыщщ Нэхущ Заурбий, Жыджэт Александр, Шурдым Юрэ, Къэрмокъуэ Хьэмид, Дзу Руслан сымэ, нэгъуэщIхэри. Къэралым, жылагъуэм къыхуащI гулъытэм и закъуэкъым Хьэбил и пщIэр зыIэтыр, атIэ Шыгъушэхэ зэрыгушхуэ лъэпкъылI нэсщ ар. Псори нэхъри зэкIэришхэн щхьэкIэ, лъэпкъ зэхуэс ищIыну, щIыпIэ куэдым щикъухьа Шыгъушэхэ зэрыщIэу, зы унафэм щIэту, я щIэблэр фIым хуагъасэу зэтриублэну куэд щIауэ и хъуэпсапIэт абы. Апхуэдэ Iуэху иным щыпыхьэм, чэнджэщэгъуи дэIэпыкъуэгъуи къыхуэхъуащ нэхъыжьыфI Шыгъушэ Алий, Новороссийск щыпсэу икIи щылажьэ хьэрычэтыщIэ лъэрызехьэ Шыгъушэ Хъусен. Ар икъукIэ Iуэху гугъуми, Хьэбилрэ Хъусенрэ яхузэфIэкIащ Шыгъушэхэ къахэкIауэ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэухэр зэхуашэсын. 2008 гъэм «Шыгъушэ» лъэпкъ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу зэхуэарэзыуэ Хьэбил хахащ. Иджы Тыркум щыпсэу Шыгъушэхэми зыпащIэфащ, ахэри лъэпкъ Iуэхум къыхашэну яужь итщ. АдыгэлI нэс, цIыху емызэш, фIым хуэлажьэ, лъэпкъ Iуэхури лэжьыгъэри зэдэзыхьыф Хьэбил къыхуащI пщIэшхуэр зыщIыпIи къикIакъым — ар езым къилэжьыжащ. Илъэс 70 гъуэгуанэм ириплъэжми, хэкуми, лъэпкъми, бынми яхуилэжьар куэд зэрыхъур илъагъужынщ. Шэч хэмылъуи, а гъуэгуанэм трилъэгъуэнукъым щIэукIытэжыни щIэгузэвэни. ГъащIэм щыхузэфIэкIам кърит гукъыдэж иным ноби и лъэр щIегъэкI, цIыхубэм, иджыри сифI екIащэрэт, жиIэу IуэхугъуэщIэхэми зрепщытри, абыхэми хунэсыну дохъуэхъу. Тхьэм и гъащIэм къыхупищэ! Псэу, си къуэш, псэу, уэ лъэпкъми цIыхуми уахуолажьэ! ШЫГЪУШЭ Хьэбас, егъэджакIуэ-методист. Зеикъуэ къуажэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26579.txt" }
Фермерхэм я зэфIэкIыр Ди щIыналъэм и агропромышленнэ комплексым и зыужьыныгъэр куэдкIэ елъытащ мэкъумэш-фермер хозяйствэхэм я зэфIэкIым. Дызэрыщыгъуазэщи, а Iуэхур иджыпсту къызэхуэтыншэкъым. Абы и зэранкIэ, фIэфIу зыпэрыхьа Iэщ гъэхъуныр IэщIыб щащIыжи урохьэлIэ. Ауэ щыхъукIэ, ди цIыхухэм фейдэ хэхыпIэ нэхъыщхьэу яIэр щIымрэ Iэщымрэщ. Ар къызыгурыIуэ фермер Iэзэхэм ящыщщ Джылахъстэнейм илъэс куэд хъуауэ зи цIэр фIыкIэ къыщраIуэ Емкъуж Арсен. А лэжьакIуэ емызэшыр пхыкIащ къэралыр щызэхэкъутэжа лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым лэжьыгъэм къыхуигъэщIа дэтхэнэ зыри хуиту зымыгъэбакъуэ лъэпощхьэпо Iэджэм. Ауэ гурэ псэкIэ зыпэрыува Iуэхур иригъэфIэкIуэн папщIэ сыт хуэдэ гугъуехьми пикIуэтакъым. Нобэ абы иIэщ жэм къашу 350-м щIигъу. Езым и къарукIэ ахэр зыхуей хуэзэу щаIыгъын жэмэщ дэгъуи иухуащ. Хозяйствэм къыщIиш шэр сату щIапIэхэм щащэ. Апхуэдэу щIыпIэ сымаджэщыр зыхуеинум хуэдиз пщIэншэу ирет. КъимыдэкIэ, Абейкъуажэм дэт сабий-ныбжьыщIэ спорт школыр зыхуей-зыхуэфI щхьэхуэхэмкIэ къызэгъэпэщыным и мылъку хилъхьащ, зи Iуэху хуэмыщIауэ лъэIукIэ къыбгъэдыхьэхэр щигъэщIэхъу къэхъуакъым. Нобэ Емкъужым и фермер хозяйствэм цIыху 20-м нэс щегъэлажьэри, мазэм хуэзэу тIэунейрэ улахуэр ярет. Абыхэм я лэжьыгъэр къыщрахьэлIэ IэнатIэхэр зыхуей хуэзэу, цIыхухэми къазэрытемыхьэлъэнум хуэдэу зэфIигъэхьащ. УнафэщIым кърихьэлIэн хуейуэ иджыри куэд къыпоплъэ, ауэ псом ящхьэращи, зыхуежьа Iуэхум дэрэжэгъуэ кърет. Фермерым и мурадщ, Iэщ гъэхъуным и мызакъуэу, къуажэдэс нэхъыбэм IэнатIэ щагъуэтын нэгъуэщI къудамэхэри къызэIуихыну: лъэс лъагъуэхэм тралъхьэ плиткэхэм, пхъэкIэбжьэкIэхэм зэрелэжь Iэмэпсымэхэри зригъэпэщащ. Иджы мы Iуэхухэр къезыхьэлIэфын бригадэ зригъэпэщу, ахэр нобэрей лэжьэкIэ мардэхэм хуригъэджэну иужь итщ. ЖАНХЪУЭТ Зузэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26584.txt" }
Сабий садхэм адыгэбзэм щыхурагъэджэнущ Адыгей. Зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр щаIыгъ IуэхущIапIэхэм цIыкIухэр адыгэбзэм щыхурагъаджэ гупхэр къыщызэрагъэпэщынущ. Ар кърикIуащ республикэм и Хабзэгъэув Зэхуэсым «Егъэджэныгъэм теухуауэ» щIыналъэ законым ехьэлIауэ къищта зэхъуэкIыныгъэхэм. Адыгейм и Парламентым егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI КIэрашэ Азнаур зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ мардэр гъащIэм хэпщэным егъэджэныгъэр нэхъ зэIуха ищIынущ, абыхэм я фIагъым хэгъэхъуэнымкIэ, адыгэбзэм зегъэубгъунымкIэ сэбэп хъунущ. Республикэм и сабий IуэхущIапIи 125-м ящыщу 42-м егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэр Адыгейм и къэралыбзитIымкIэ — адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ — щрагъэкIуэкI. Егъэджэныгъэм теухуа щIыналъэ законым игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ, зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ къащтэну Iэмал ягъуэтынущ. ЩIэблэм йогупсыс Къэрэшей-Шэрджэс. КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ Урысейм спортымкIэ и министр Мутко Виталийрэ Мэзкуу щызэIущIащ. Ахэр тепсэлъыхьащ я зэдэлэжьэныгъэм кърикIуахэмрэ адэкIэ зэфIагъэкIыну я мурадхэмрэ. Къыхагъэщащ КъШР-м и Архъыз жылагъуэм спорт-зыщагъасэ центр зэраухуэнур. ЗэIущIэм гулъытэ щигъуэтащ дунейпсо зэхьэзэхуэхэм Урысейм и щIыхьыр щызыхъумэну КъШР-м и спортсменхэр абыхэм зэрыхуагъэхьэзырым. Ахэр къытеувыIащ Архъыз жылагъуэм спорт-зыщагъасэ центр щыухуэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм. — Дэ дахуэзакIэщ Къэзан щекIуэкIыну гъэмахуэ Универсиадэм хэтыну спортсменхэм. Апхуэдэуи дытепсэлъыхьащ 2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ щекIуэкIыну джэгухэм ди олимпийцхэр зэрыхуагъэхьэзырынум, — жиIащ Темрезов Рашид. КъШР-м и Iэтащхьэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, УФ-м СпортымкIэ и министерствэм зэрыдэлэжьа илъэситIым республикэм ухуэныгъэшхуэу 4 щатащ. Мы гъэм и кIэм нагъэсыну щогугъ Абазэ районым щаухуэ IэрыщI алэрыбгъу зэрылъ топ джэгупIэр, Учкекен къуажэм дащIыхь къатитIу зэтет спорт унэр. 2013 гъэм и кIэм Прикубань районым щыIэ Дружба жылагъуэм щрагъэжьэнущ спорт комплексышхуэ ухуэныр. Абы хухаха щIы гектари 3-м щызэфIагъэувэнущ комплексым и унэ нэхъыщхьэр, футбол джэгупIэ, теннис, волейбол ут зэIуха тIурытI, баскетбол джэгупIэрэ еплъынухэм хуэщIа тIысыпIэ 800-рэ. Дзэ щIыхьым и аллее КъШР-м и правительствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Черкесск и зыгъэпсэхупIэ паркым Дзэ щIыхьым и аллее мы гъатхэм къыщызэIуахыну я мурадщ. Жэрдэмыр къыщыхалъхьащ Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я къалэ советым и пленумым, абы и теплъэр зыхуэдэнури яубзыхуащ. Алеем щIыпIэ хэха щиубыдынущ Хэкур нэмыцэ фашистхэм ящызыхъума, зауэм и илъэсхэм хэкIуэда сэлэт мини 4-м нэблагъэм я фэеплъыр мыкIуэдыжыну тхыдэм къыхэнэным. Ар даIыгъащ Хэку зауэшхуэм и ветеран 200-м. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26587.txt" }
Мы махуэхэм Мэлыжьыхьым и 4, махуэку Лагъымым зыщыхъумэным теухуа дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2005 гъэм къищтащ. Ялтэ къалэм и махуэщ. Ар илъэси 175-рэ ирокъу. 1933 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм я оргбюро къызэрагъэпэщащ. 1945 гъэм Советыдзэм Словакием и къалащхьэ Братиславэ хуит къищIыжащ. Илъэс 40 и пэкIэ Нью-Йорк къыщызэIуахащ Дунейпсо сату центрым и унитI, дэтхэнэри къати 110-рэ хъууэ. 2001 гъэм фокIадэм и 11-м щIэпхъаджащIэхэм яубыда кхъухьлъатитIкIэ ебгъэрыкIуэри, а унитIри къызэтрагъэщэхауэ щытащ. УсакIуэ, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емыжь МулиIэт къыщалъхуа махуэщ. Адыгей усакIуэ Гъыш Рахьмэт илъэс 50 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 — 17, жэщым градус 11 — 12 щыхъунущ. Мэлыжьыхьым и 5, мэрем 1242 гъэм Невский Александр и дзэм Чудэ гуэлым и деж нэмыцэдзэр щызэтрикъутащ. 1905 гъэм Алъхъуей (Курп Ищхъэрэ) къуажэм и мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ. 1943 гъэм ВКП(б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и бюром унафэ къищтащ Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным теухуауэ. 1943 гъэм Налшык дэт дагъэ завод №1-р зэфIагъэувэжащ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 12 — 18, жэщым градус 12 — 13 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26589.txt" }
Щэбэт щIыхьэхум кърикIуахэр къабжыж ЗэкIэ къызэралъытамкIэ, нэхъыжьхэм ядэIэпыкъуным хуэгъэза республикэпсо щэбэт щIыхьэхум хэтащ цIыху 89489-рэ. Республикэм и район псоми, апхуэдэу Налшык, Прохладнэ, Бахъсэн къалэхэм къыщалэжьауэ щэбэт щIыхьэхум и фондым сом мелуани 9-рэ мин 994-рэ халъхьащ. Токъмакъ Мадинэ, КъБР-м Лэжьыгъэмрэ соицальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26591.txt" }
Ансамбль цIэрыIуэхэм ядоIэпыкъу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и творческэ гуп цIэрыIуэхэм — «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблымрэ «Балкария» къэрал IуэрыIуатэ-этнографие ансамблымрэ — хэтхэм я фащэхэр къагъэщIэрэщIэжыну, апхуэдэу къызэракIухьын транспорт къащэхуну Iэмал ягъуэтащ. КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан зэрыщыжиIамкIэ, а мурадхэм папщIэ республикэ бюджетым къыхэкIыу дызэрыт мазэм артистхэм сом мелуани 2,9-рэ хуаутIыпщынущ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26593.txt" }
Чеченов Ануар:КъБР-м и Парламентым унафэ къыщищтэкIэ, лъэныкъуэ псори зэпилъытынущ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр ягъэувын папщIэ дяпэкIэ Iэмалу тIу щыIэнущ. Япэрауэ, губернаторхэр IэIэткIэ хах хъунущ. Абы къыдэкIуэу хуит ящI УФ-м и Президентыр арэзы зытехъуа кандидатхэм языхэзыр щIыналъэм и парламентым хихыну. Абы теухуа зыхуэфащэ Законыр тхьэмахуэ блэкIам къищтащ ФедерацэмкIэ Советым. Федеральнэ законым халъхьа зэхъуэкIыныгъэр къызэрыщыхъуам тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар: — Субъектым и Iэтащхьэр зэрагъэувыну щIыкIэр убзыхунымкIэ полномочиехэр езы щIыналъэхэм зэрыратар тэмэму икIи зэманым къигъэувхэм къезэгъыу, апхуэдэу языныкъуэ субъектхэм, абыхэм ди республикэри яхэту, лъэпкъ куэд зэрыщыпсэум къыхэкIыу щыIэ щытыкIэхэм къезэгъыу къызолъытэ. Сэ шэч лъэпкъ къытезмыхьэжу жысIэфынущ абы теухуауэ унафэ къыщищтэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым лъэныкъуэ псори зэрызэпилъытынур. Республикэм и законодательствэм халъхьэну сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэри депутатхэм куууэ зэпкърах, ядж. Абыхэм ятеухуа зэIущIэ зыубгъуахэр къызэрагъэпэщ, граждан жылагъуэм и лIыкIуэхэм йочэнджэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр зэрыхахым теухуа Законыр къыщащтэм зэныкъуэкъу куэд щыIащ, абы кандидатхэм езыр-езыру зыкъагъэлъэгъуэжынымкIэ мардэр хэгъэхьэным хуэгъэзауэ. Ди республикэм и къыхэщхьэхукIыныгъэхэр, илъэс куэд лъандэрэ абы зэрызиужь щIыкIэр къалъытэри, парламентархэм унафэ ящIащ апхуэдэ мардэр законым хамыгъэхьэну. Федеральнэ законодательствэм халъхьа IуэхугъуэщIэр ди дежкIэ тегъэщIапIэщ хэхыныгъэм теухуа законым къытедгъэзэжу аргуэру зэ дыхэплъэжынымкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ цIыхухэмрэ аргуэру зэ дечэнджэщыжынымкIэ икIи республикэм зэпIэзэрытыныгъэр, мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр щыхъумэнымкIэ нэхъ сэбэп хъуну мардэр къыхэтхынымкIэ. Унафэ пыухыкIа къэтщтэн папщIэ дэ иджыри зы илъэсрэ ныкъуэрэ диIэщ, сыту жыпIэмэ, иджыпсту республикэм и Iэтащхьэм и полномочиехэр щиухыр 2015 гъэм и бжьыхьэрщ. А зэманым къриубыдэу дэ адрей щIыналъэхэм къыщащта мардэхэр зэпкърытхынущ икIи нэгъэсауэ къезэгъынур къыхэтхыфынущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26595.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министру гъэувын Къумахуэ Мухьэдин Лалушэ и къуэр. 2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 2-м №47-УГ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26598.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Прозэу тха усэхэр Бгъунж НэгъуэщIым зыгуэр къехъулIэмэ, ар гущIыхьэ щыхъурти, хьэлъэу зыхищIэрт. И гур къекIуэрт. И щхьэр уназэрт. Сымаджэшхуэ хъууэ къыщыхэгъуэлъхьэжыпи щыIэт. Мызэ-мытIэу апхуэдэу къыщыщIати, и узыншагъэм тешыныхь хъури, хэкIыпIэ къилъыхъуэу щIидзащ. ИкIи къигъуэтащ. Иджы абы и гур къекIуэжыркъым. И щхьи узыжыркъым. Сымаджэ хъууи къыхэгъуэлъхьэжыркъым. Бгъунжу къыхуоплъ адрейхэм я IуэхущIафэми — Iушэу елъагъу. Езыри зыхуеиххэр аращи, дуней гуфIэгъуэр иIэщ: Iушэщ, Iушэщ адрейхэм я IуэхущIафэр! Ауэ зы щIэщхъуи абы къыхухэкIащ Iуэхум: бгъунжу плъэурэ — езыри бгъунжу, Iушэу къэнащ. «Уэрэди жыпIат?..» Режиссерым и деж зы щIалэ къыщIохьэ: — Хъунумэ, зыгуэр уэзгъэлъагъунут. — Хъунщ, сыгъэлъагъу. ИкIи щIалэм, зыгуэрхэр къиIущэщурэ, къикIухьу щIедзэ. ИтIанэ къежыхь. Абы къыдэкIуэуи и макъым зрегъэIэт. ЗригъэIэтым-зригъэIэтурэ — кIийм хуокIуэ. ЩIалэм бэлэрыгъыпIэ имыIэу зегъэсыс, зеудыныщIэ, шейтIан уз пкърыт нэ-хъей, адэ-мыдэкIэ зедз. Чышым тес щIалэжь цIыкIум ещхьу къежыхь, малъэ-мапкIэ, долъей-къолъых, тхьэкIумэIупсыр иричуи мэкIий. IэкIэ мэуври, и лъакъуэхэр егъэджэгу. ЩхьэкIэ мэуври, и IитIымрэ и лъакъуитIымрэ зэрегъэубыдыж. Унэ лъэгум кIыхьу зреу-къуэдиери, блэм зыпищIыж фIэкI къыпхуэмыщIэну, зопщыпщэ. ХьэмбыIуу мэтIысри, хьэндыркъуакъуэм ещхьу мапкIэ. ИкIэм-икIэжым — а зыр арат къэнэжари — и щхьэр къыфIечыжри, топ нэхъей — дридзей-къиубыдыжурэ, ешыху мэ-джэгу. Еша нэужь, фIегъэувэж — а зэрыкIийуэ… Режиссерыр абы нэхъуу йоплъри щытщ, икIуэтыжауэ, ищIэнури, жиIэнури къыхуэмыщIэу. ЩIалэр, сытми зы зэман къоувыIэжри, пщIэнтIэпсыр ирикъуэкIыу, бауэ-бапщэу щIоупщIэ: — Д-дауэ сыкъ-къыпщыхъуа? — Сэ абыхэм хэсщIыкIыркъым, — жеIэ режиссерым. — Уэ къэплъыхъуэр тренермэ, стадионыр… — Хьэуэ, тренеркъым! — НтIэ уздэкIуэнур циркрамэ… — Хьэуэ… Сэ къэслъыхъуэр уэращ. Си уэрэдыр, си уэрэдыр дауэ къыпщыхъуа? — Уэрэди жыпIат?.. Къэжэр Хьэмид. Лъэпкъ шхыныгъуэхэр ДжэдыкIэжьапхъэ, кIэртIоф щIэлъу КIэртIоф укъэбзар г 5-6 хъу зэпэплIимэ цIыкIуурэ яупщIатэ, шыгъу хадзэри, дакъикъи 3-4-кIэ щагъэт. Бжьыныхури яукъэбзри, IупщIэ цIыкIуурэ яупщIатэ. АдэкIэ джэдыкIэр яудэри шыгъу хадзэ. ИтIанэ тебэм тхъу иралъхьэри къагъэплъ, абы кIэртIоф упщIэта гъэжэпхъар хакIутэри, зэIащIэурэ, тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. Абы бжьыныхур халъхьэри, зы дакъикъэ хуэдизкIэ трагъэт, итIанэ шыбжий хадзэри, зэрызэIащIэм хуэдэурэ, джэдыкIэ удар хакIэри, и щхьэр трапIэж. МафIэр ешэхауэ дакъикъэ зытIущкIэ ягъажьэ, илъабжьэр тхъуэплъ хъухукIэ. Тебэм зэрилъу IупщIищ-плIыуэ зэпаупщI, зэрагъэдзэкI, тебащхьэр трапIэжри, аргуэру зы дакъикъэ хуэдизкIэ ягъажьэ. Пщтыру тепщэчым иралъхьэри Iэнэм трагъэувэ. пIастэ, щIакхъуэ дашх. Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): джэдыкIэу — 2, кIэртIофу — г 80, бжьыныхуу — г 15, тхъууэ — г 40, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз. Балыджэ зэхэупщIэта Балыджэ ятхьэщIар сэкIэ яупщIатэ хъурей цIыкIуурэ е IупщIэурэ, абы шыгъу, бжьын цIынэ зэпыгъэлъэлъа халъхьэ, шатэ щIакIэри зэIащIэж. Iэнэм щытрагъэувэкIэ, пIинэу тепщэч цIыкIум иралъхьэ. ЩIакхъуэ, лэкъум, кIэртIоф гъэва, кIэртIоф пIастэ, чыржын дашх. Адыгэхэм япэм балы-джэ фIыцIэр яшхырейуэ щытащ. Ар сырщ, зыхуей хуэзэу бгъэтIылъмэ щIымахуэ псом щылъынущ. Хуабжьу хущхъуэгъуэщ. ЩIыIэ зыхыхьахэм, зи тэмакъым Iупс бзаджэ телъхэм сэбэп яхуохъу. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): балыджэу — г 200, шатэу — г 100, бжьын цIынэу — г 50, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. ЖыIэгъуэхэр Гъэмахуэм кIэлъыплъ Бзэгузехьэр хэт сыт къыжьэдэкIын жиIэу пэплъэркъым: игу къихьэр ехь. И нэ гупэкIэ жызмыIэн лъэпкъ и нэ щIыбагъкIэ жысIэркъым, — жызыIэри бзэгузехьэщ. Псалъэр зэхамыхакIэ, яIуэтэжын къагъанэрэ? Хъунур езыр мэхъу жаIэми, зейм ещхьыжщ жаIэми къыпхуопсалъэ. БлэкIа зэманри къэкIуэну зэманри ит зэманым щызэпхащ. Гъатхэм пэплъэ, гъэмахуэм кIэлъыплъ, бжьыхьэм зыпплъыхьу ущымыс — щIымахуэр къыппоплъэ. Дунейм щилэжьам нэхъыбэ хузэфIэкIыну щытауэ зи гугъэр къопцIэ. ДяпэкIэ сэ Iущ сыхъунщ жызыIам зэIищIэжынуIащ. Бейтыгъуэн Сэфарбий. Мысырым (Египет) щыщ адыгэ принцессэ Шах Хъусни и сурэтыр зыщIар франджы сурэтыщI Де Леомениль Лаурэщ. 1848 гъэ Нэщэнэхэр Хьэ къугъым мелыIыч елъагъу Унэм ущыщIыхьэкIэ, лъапэ ижьыр нэхъапэ щIэшие жаIэрт. Хуэ зышхым и щхьэцыр кIыхь хъууэ къалъытэрт. Хьэ къугъым мелыIыч елъагъу жаIэрт. Хьэдэ зэрыщIалъхьа бел зэIэпахыртэкъым. ХьэкIэ къызытеуам и гугъу ящI жаIэрт. Цыбэ угъурлыщ, насыпыфIэщ жаIэрт. ЩIэщыгъуэ IэпэIэсагъэм и щапхъэ ЦIыхум хэлъ хьэл-щэнхэм, и дуней тетыкIэм куэдкIэ поджэж и IуэхущIафэхэр. Сурэтхэм щыфлъагъу лэжьыгъэхэр хуэщIынукъым зэпIэзэрыту щымыт цIыхум. Мы IэрыкIхэри ахэр зи IэдакъэщIэкI бзылъхугъэри IэпэIэсагъэм и щапхъэщ. Сэ фIыуэ соцIыху Мэлбахъуэ (Гъажэхэ я нысэщ) Залинэ. И унагъуэ зехьэкIэми, и сабий пIыкIэми, и хьэщIэ егъэблэгъэкIэми, и нэхъыжьхэм пщIэ зэрахуищIми сыкIэлъыплъыну Iэмал сиIэщи, дэтхэнэ зыми фIыуэ полъэщ, уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал имыIэу. Псом хуэмыдэу къыхэзгъэщхьэхукIыну сыхуейт сабийхэм яхуиIэ лъагъуныгъэр. Езым и бынхэу Идаррэ Даринэрэ я закъуэкъым игъафIэр, и Iыхьлыхэм, уеблэмэ и гъунэгъу дэ дыдейхэр дрехьей, жэщыбг нэсауэ «IэфIыкIэ гуэр тшхынт» жаIамэ, мыщхьэхыу кърихьэжьэнурэ яхуищIынущ. А псор зэрилъабжьэм сэ шэч къытесхьэркъым хьэпIацIэщыгъэкIэ гъэщIэрэщIа теплъэгъуэхэр, нэхъыбэу жыгхэмрэ удз гъэгъахэмрэ, щIыным ар зэрыдихьэхар. НыбжьыщIэхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Нэмыс» республикэ центрым щолажьэ Залинэ, дэзыхьэха Iуэхум щыхэгъуэзари аращ. «Ди лэжьапIэм щыIэ сабийхэр IэпщIэлъапщIагъэм хуезыгъасэ Памьян Ольгэ ищIу слъэгъуауэ арат мыпхуэдэ хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр, сэри зезгъэсэну сызэрыхуейр щыжесIэм, къыздэIэпыкъуу щIидзащ. Къапщтэмэ, къэкIыгъэ теплъэ мыин дыдэ пщIыным зы тхьэмахуэ-тхьэмахуитI токIуадэ. Ауэ ихь зэманыр гукъыдэж узэриIэми адрей Iуэхухэм зэрызакъыдэбгъэхуэфми елъытащ», — жеIэ Залинэ. Теплъэгъуэхэм я щIыкIэм и щэхухэмкIэ Залинэ сыщеупщIкIэ, къыпогуфIыкIри, «зыри гугъукъым», — жи, гупсэхугъуэ абы къызэрыритри къыхегъэщ. Жыг цIыкIум лъабжьэ хуэхъуну къигъуэт кумбыгъэм (ар щхьэтепIэ гуэру, пхъэбгъуу е нэгъуэщIу щытынкIэ мэхъу) «къикIыкIыр» гипскIэ псыхьа гъущI кIапсэщ. Абы щихуа гипсыр гъуща иужь, и щIыIум толыхь зыхуей плъыфэр къызэрыригъащтэ лэчкIэ, иужьу пхъэбгъулъэгу лэч щехуэж. Тхьэмпэхэр, гъэгъахэр хьэпIацIэщыгъэщ… Залинэ и унэм щIэтщ ищIа лэжьыгъэ зыхыбл, ауэ сэ тепыIэншэу сызэжьэр мазитIым щIигъуауэ зэлэжь жыгышхуэрщ, и хьэщIэщым щIигъэувэну и мурадырщ. Ар лэжьапIэм къызэрыришыжу ди газетымкIэ фэзгъэлъагъуну фыкъызогъэгугъэ. ИСТЭПАН Залинэ. Гъатхэпэм и 30-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 3. Лъэнтхъуий. 7. Къазмакъ. 8. Нэмыцэ. 9. Ибэ. 10. IутIыж. 14. Къарэ. 15. Хьэтыр. 17. ГупкIэ. 18. Уэркъ. 21. Бгъэ. 23. Ажэ. 24. Гуэн. 25. Бжы. 26. Къан. 27. ГъукIэ. 30. Жыр. 31. Напэ. 33. Шатэ. 36. Уашхэ. 39. Арму. 40. Жыжьэ. 41. Афэ. 42. Тэрмэш. 44. Пэнагуэ. 45. Щхьэлыкъуэ. Къехыу: 1. Нэпкъ. 2. Къиин. 4. Тембот. 5. ЛантIэ. 6. «Мцыри». 11. Жэп. 12. Тхьэм. 13. Брул. 14. Къыр. 16. Iубыгъуэ. 17. Гуэгуэн. 19. Къанжэ. 20. Хьэкъурт. 22. Ажэ. 28. ХьэукI. 29. Пшэр. 32. Аму. 34. Таж. 35. Къурмэн. 37. Шэфтал. 38. Бжьыгуэ. 43. Шухьэ. 44. Пэкъуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26601.txt" }
Iуэхур Iэпэдэгъэлэл фымыщI 1950 гъэм щегъэжьауэ Узыншагъэм и дунейпсо махуэр мэлыжьыхьым и 7-м ягъэлъапIэ. Апхуэдэ махуэ щIыхахам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр я узыншагъэм гулъытэшхуэ хуащIын зэрыхуейр цIыхухэм ягурыгъэIуэнырщ, ар егъэфIэкIуэнымкIэ зэфIэхыпхъэхэр убзыхунырщ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм (ВОЗ) и жэрдэмкIэ а махуэр цIыхухэр зыгъэгумэщI Iуэхугъуэшхуэхэм траухуэ хабзэщ икIи къыхуеджэныгъэ щхьэхуэхэм щIэту илъэс къэс зэIущIэхэр йокIуэкI. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Лъы зытхэр сымаджэ куэдым ядоIэпыкъу», «Жыджэрагъыр гъащIэ кIыхьым и лъабжьэщ», «ЩIыуэпсым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ мыщхьэпэхэм узыншагъэр щыхъумэн», «Узыншагъэ быдэм гъащIэм къыпещэ», нэгъуэщIхэри. Мы гъэм а махуэр хуагъэпсащ лъыдэуей (давленэ) лъагэм икIи а узыфэм зэрызыщыпхъумэным, абы узэребэныным теухуа зэIущIэ щхьэпэхэр ирагъэкIуэкIынущ. Лъыдэуей лъагэ зиIэхэм инфаркт, инсульт къайуэлIэнкIэ шынагъуэшхуэхэр щыIэщ, апхуэдэуи ар жьэжьейм и лэжьэкIэм зэран хуохъу. Аращи, абы тэмэму укIэлъымыплъмэ, уи нэхэм фIыуэ ямылъагъужу хъунущ, гум епха узыфэ куэди къигъэхъеинущ. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, лъыдэуей лъагэм упэщIэтыфынущ уи шхэкIэм тэмэму укIэлъыплъкIэрэ, уи Iэпкълъэпкъым зебгъэукъуэдийкIэрэ. Псалъэм папщIэ, апхуэдэ узыфэ зиIэхэм, шыгъур ягъэмэщIэным, я Iэпкълъэпкъым и хьэлъагъыр мардэм тетыным егугъупхъэщ, къищынэмыщIауэ фадэмрэ тутынымрэ зыщахъумэн хуейщ. ЦIыхухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр щызэфIах ди республикэми. Апхуэдэу илъэсищым нэблэгъауэ Налшык къалэ щолажьэ Узыншагъэм и центр. IуэхущIапIэр «Узыншагъэ» лъэпкъ проектым хэту къызэIуахауэ щытащ. И къалэн нэхъыщхьэри цIыхухэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуегъэщIыжынырщ, нэхъ зыхуэсакъыжу егъэсэнырщ. Центрым дэтхэнэ зыри и узыфэм теухуауэ дохутырым щепсэлъэфынущ, адэкIэ зыбгъэдыхьэну IэщIагъэлIхэр къыщащIэфынущ, узыншэу псэунымкIэ чэнджэщхэр къыщратынущ. Центрым къыщыпхуащIэнущ уи узыншагъэр зыхуэдэр, псалъэм папщIэ, уи лъым холестерину хэлъыр зыхуэдизыр, лы лей птелъ-птемылъыр къыщапщытэфынущ, апхуэдэу щхьэж и узыншагъэр зэрыригъэфIэкIуэным теухуа программи щыпхузэхалъхьэнущ. Центрым и лэжьыгъэр тэмэму зэтеублауэ екIуэкIын папщIэ, ар зыхуеину IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщащ, Iуэхутхьэбзэхэри пщIэншэщ. Узыншагъэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр къыщыпщIэр, абы укъыхигъащIэ хъуа иужьщ. ЦIыхум и гъащIэр зэрыхъунур езым куэдкIэ елъытыжащ. Псалъэм папщIэ, зыгуэр къыдэузыным демыжьэу, щIэх-щIэхыурэ ди узыншагъэр къедгъэпщытэу щытамэ, дызыIууэ гугъуехь куэдым пэIэщIэу дыпсэуфынут. Езы дохутырхэми зэрыжаIэщи, зи уз хагъэтIэса сымаджэм уеIэзэн нэхърэ ар цIыхум къыумыгъэуэлIэныр нэхъ тыншщ. Аращ УзыншагъэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм а Iуэхур Iэпэдэгъэлэл ямыщIу зыкIэлъыплъыжыну псори къыщIыхуриджэр. Тхьэхущынэ Ланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26606.txt" }
СыткIи щапхъэ Дохутыру улэжьэныр жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъщ. А IэнатIэм упэрытын папщIэ щIэныгъэшхуэрэ зэфIэкI лъагэрэ уиIэным и мызакъуэу, гуапагъэрэ зэхэщIыкIрэ пхэлъын хуейщ. Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыхам зыщигъэгъупщэ хъунукъым ар цIыху гъащIэм и плъыру зэрыувыр. Мыбдежым къыщезэгъынукъым Iуэхум зыщIегъэхыныр, щхьэхынагъэр. А псори фIыуэ къыгуроIуэ Тэрч къалэ дэт поликлиникэм неврологыу щылажьэ Хъущт Жаннэ СэIэдулэ и пхъум. Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №3-р къиухри, Жаннэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ къудамэм щIэтIысхьащ. «Медицинэм и дунейм сыщыхыхьа студент илъэсхэр си дежкIэ гуимыхужщ, — жеIэ Жаннэ. — Абы щыгъуэм узыхуеину тхылъхэр гъуэтыгъуейт, Интернет жыхуаIэр щыIэххэтэкъым. Арати, ди егъэджакIуэхэм къыджаIэ псори тфIэгъэщIэгъуэну, зыри зэрыдэдмыгъэхуным дыхущIэкъурт». Пщащэм фIыкIэ игу къегъэкIыж университетым щезыгъэджа, республикэм узыншагъэр хъумэн и IэнатIэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, медицинэ щIэныгъэм зи лъагъуэ щыхэзышыжахэу Нэгъаплъэ Аллэ, ФочыщIэ Неллэ, Чудопал Сергей, Лъэпщокъуэхэ МутIалибрэ Ларисэрэ, Урысмамбэт Шагъир сымэ. «Нобэ си лэжьыгъэкIэ ехъулIэныгъэ гуэрхэр сиIэмэ, зи фIыщIэр ахэращ, — жеIэ Хъущтым. — Абыхэм къызата щIэныгъэрщ абы сыхуэзышар». Студент жыджэру щыта пщащэр ягу къинэжащ езыгъэджахэми. «Жаннэ сытым дежи щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэт, нэхъыбэ къызэрищIэным хущIэкъуу апхуэдэт, — жеIэ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Урысмамбэт Шагъир. — Сыт хуэдэ лэжьыгъэ и пщэ иплъхьэми, жэуаплыныгъэ пылъу зэфIихырти, зыхуеджэ IэщIагъэм зэрыхуэфащэр пасэу нэрылъагъу тщыхъуат. Жаннэ зыпэрыт IэнатIэм щытхъуфIхэр зэрыщиIэм дыщыгъуазэщ, абы къыхуэарэзыщ и нэIэм щIэт сымаджэхэр. ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр зыхуэдэр къозыгъащIэр абы и гъэсэнхэращ. Дэ ди дежкIэ куэд и уасэщ Жаннэ хуэдэ дохутыр нэсым и егъэджакIуэу дызэрыщытар». ЕгъэджакIуэ Iущым и псалъэхэм я щыхьэтщ Хъущтым игъэхъужахэм ящыщ Хьэрэдурэ ФатIимэ къыджиIахэри: «Псэгъэтыншщ Жаннэ. И псалъэ къудейм гум жьы дригъэхужу апхуэдэщ а цIыхубзыр. Си щхьэкIэ сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ, абы хуэдэхэрщ, шэч хэмылъу, зыпэрыт IэщIагъэм къыхуигъэщIащ зыхужаIэр». Жаннэ унагъуэ дахэ ихуащ. Абы и щхьэгъусэ Хьэтыхъу Мурати дохутырщ, реаниматологыу еджащ. Мурат Акъбащ Ипщэ къуажэм щыIэ амбулаторэм и унафэщIщ. Адэ-анэм я лъэужьым ирикIуэжахэщ я къуитIри. ЩIалэ нэхъыжь Анзор КъБКъУ-м и стоматологие факультетым и 4-нэ курсым, нэхъыщIэ Аслъэн, медколледжым и 3-нэ курсым щоджэ. Нэхъыщхьэращи, зэщхьэгъусэхэм цIыхухэр къахуэарэзыщ. «Зи щхьэр къозыхьэлIа сымаджэм гупсэхугъуэ ептыжыфрэ, ар къыпхуэарэзымэ, дохутырым и IэнатIэм щиIэ ехъулIэныгъэ нэхъ лъагэ дыдэр аращ», — жаIэ зэщхьэгъусэ насыпыфIэхэм. ПщыхьэщIэ Хьэмзэт.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26608.txt" }
Шэт Ирмэ: IэнатIэм нэхъри зытхуегъэужьыну си гугъэщ 2012 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министру ягъэуващ Шэт Ирмэ. Абы лъандэрэ мазищым щIигъуа къудейуэ аращ. А зэман кIэщIым къриубыдэу IэнатIэр зэуэ езыгъэфIэкIуэн Iуэхушхуэхэр зэрыпхузэфIэмыгъэкIынур гурыIуэгъуэщ. АтIэми, зэкIэ зэфIагъэкIахэмрэ адэкIэ къапэщылъхэмрэ Шэтыр щытепсэлъыхьащ иджыблагъэ министерствэм щекIуэкIа пресс-конференцым. — Си лэжьыгъэкIэ Урысей Федерацэм и хэгъуэгу куэдым сыщыIэну къысхуихуащи, абыхэм езгъапщэкIэрэ, шэч къытезмыхьэу схужыIэнущ, ди республикэм узыншагъэр хъумэн и IэнатIэр абыхэм щыIэ щытыкIэм къызэрыкIэрымыхур, — къыщIидзащ и псалъэр министрым. — Пэжщ, цIыхухэм дазэрыдэIэпыкъу щIыкIэр тхуегъэфIэкIуэнущ, абы папщIэ нэхъыщхьэр дохутырхэм я Iэзагъэм нэхъри хэгъэхъуэнырщ. Медицинэм щыдиIэну ехъулIэныгъэр псом япэу зэлъытар абыхэм я щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэщ. Дэ диIэщ зыпэрыт лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлI нэсхэр, я IэнатIэри жэуаплыныгъэшхуэ пылъу езыхьэкIхэр. КъБР-м и Iэтащхьэми Правительствэм и УнафэщIми гулъытэшхуэ хуащI узыншагъэр хъумэн IэнатIэм, абы и сыт хуэдэ унэтIыныгъэри я нэIэм щIагъэтщ. Нобэ къытпэщыт къалэныр тыншкъым — илъэсым къриубыдэу а IэнатIэм фIыуэ зедгъэужьын, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъым хэдгъэхъуэн хуейщ. Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа программэм ипкъ иткIэ, иужьрей илъэситIым а Iуэхум сом мелардитIым нэблагъэ халъхьащ. Аращи, а IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI, зэфIэгъэкIыпхъэу къытпэщылъри мащIэкъым. ЗэрыжаIэу, гугъуехьыншэу зы Iуэхуи зэфIэкIыркъым. Нэхъыщхьэращи, республикэм и унафэщIхэм Iуэхур къыддаIыгъщ, дытрагъэгушхуэ, адэкIэ ди къалэныр дылэжьэнырщи, тлъэкI къэдгъанэ хъунукъым. Медицинэ лэжьакIуэхэм я Iэзагъым, зэфIэкIым зэрыхагъэхъуэну щIыкIэм журналистхэр щыщIэупщIэм, Шэтым къыхигъэщащ ар я министерствэм япэ иригъэщ Iуэхугъуэхэм зэращыщыр. Къапщтэмэ, иужьрей мазэм къриубыдэу узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и лэжьакIуэхэм папщIэ УФ-м и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр хэту семинар, конференц зыбжанэ ирагъэкIуэкIащ. А Iуэхум хуэгъэпса республикэ программэ зэхалъхьащ, ар УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къищтащ, КъБР-м и Правительствэри арэзы техъуащ ар гъэзэщIэным. Мы зэманым ди Правительствэмрэ къэралым и медицинэ еджапIэ нэхъыфIхэмрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэну абы теухуа зэпсэлъэныгъэхэр йокIуэкI. Iуэхур тэмэму зэтеувэмэ, а еджапIэхэм республикэм и ныбжьыщIэхэм IэщIагъэ щрагъэгъуэтынущ, дохутырхэм я Iэзагъэм щыхагъэхъуэфынущ, апхуэдэуи щIэныгъэ-практикэ конференцхэр зэгъусэу къызэрагъэпэщыну я мурадщ. — Мы илъэсым щыщIэдзауэ дохутырхэм я улахуэм зэрыхущIагъунум гугъэ къызет ахэр я IэнатIэм нэхъ егугъуну, я щIэныгъэм хагъэхъуэнми гулъытэ нэхъыбэ хуащIыну, — жиIащ Шэт Ирмэ. — Нэхъапэм дохутырым и улахуэм хущIагъур зэIэзэ цIыху бжыгъэм елъытауэ щытамэ, иджы абы зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтащ. ДяпэкIэ ар я лэжьыгъэм и фIагъми тещIыхьауэ щытынущ. Дохутырхэм я лэжьыгъэр къэзыпщытэ гуп щхьэхуэ щыIэнущи, абыхэм псори зэпалъытынущ. Дэтхэнэ зы тхьэусыхафэми дохутырым е медсестрам и улахуэр нэхъ мащIэ ищIынущ. Я лэжьыгъэм зыщыIууэ гугъуехьхэм я гугъу щищIым, министрыр убгъуауэ тепсэлъыхьащ IэщIагъэлIхэр зэрахуримыкъум. Абы и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, медицинэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм щылэжьэн IэщIагъэлI 845-м хуэныкъуэщ. Псом хуэмыдэу нэхъ зыхущыщIэр неонатолог, анестезиолог, фтизиатор IэщIагъэхэр зиIэхэрщ. «Пэжыр жыпIэмэ, абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр улахуэр зэрымащIэрщ, — жиIащ Шэт Ирмэ, — ауэ абыи хэкIыпIэ къызэрыхуэдгъуэтыным дыхущIокъу. «2013 — 2017 гъэхэм КъБР-м узыншагъэр хъумэн и IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэщын» программэм ипкъ иткIэ, ди медицинэм нэхъ хуримыкъу IэщIагъэхэм ирилажьэ дохутырхэм я улахуэм мазэ къэс хущIагъунущ. А IэщIагъэхэр къыхахыным нэхъ тедгъэгушхуэн папщIэ, абыхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу дазэрыхуэхъуфын нэгъуэщI Iэмалхэми дыхоплъэ. Апхуэдэу къуажэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэм я улахуэм процент 25-рэ хущIагъунущ. КъищынэмыщIауэ, УФ-м и Президентым къыдигъэкIа «Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм къэрал политикэр щегъэфIэкIуэным теухуауэ» унафэр ягъэзащIэу, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм республикэм ику иту щат улахуэм тещIыхьауэ — дохутырхэм процент 200-кIэ, курыт, нэхъыщIэ медицинэ лэжьакIуэхэм ейм проценти 100-кIэ зэрыхагъэхъуэну программэм мыгувэу лэжьэн щIидзэнущ». IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я псэупIэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ ядэIэпыкъуным епхауэ къыхалъхьа «Къуажэ дохутыр» федеральнэ программэр зэрылажьэм и гугъу щищIым, министрым къыхигъэщащ ныбжьыщIи 136-м сом мелуан зырыз зэрыратар, апхуэдэуи республикэ бюджетым къыхэкIыу сом мини 100 дэтхэнэми зэрыхущIагъуар. «Мы гъэм а Iуэхуми зэхъуэкIыныгъэ игъуэтащ, — жиIащ Шэтым. — ДяпэкIэ федеральнэ бюджетым къыхэкIынур процент 50-рщ, адрейр республикэм щIигъужын хуейуэ аращ». Апхуэдэ хъыбарыфIхэр щыIэми, дохутырхэм я улахуэр нэхъ мащIэ хъуауэ жаIэурэ зэрытхьэусыхэр къызыхэкIым щIэупщIащ журналистхэр. — Абыи щхьэусыгъуэ иIэщ, — жиIащ министрым. — 2006 гъэм къыхалъхьауэ щыта унафэм тету, языныкъуэ дохутырхэм я улахуэм процент гуэр хущIагъуу щытащ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу. Узыншагъэр егъэфIэкIуэн программэм ипкъ иткIэ, медицинэм и лэжьакIуэхэм ирату щыта ахъшэри нэгъабэ лъандэрэ яIэрыхьэ-жыркъым. Ар псори къызыхэкIар а программэхэр зэрылэжьэну къыхалъхьа пIалъэр зэриухарщ. Иджы мы гъэм и щIышылэ мазэм щегъэжьауэ медицинэ IуэхущIапIэхэм къаIэрыхьэ мылъкур къызыбгъэдэкIыр Iэмал зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ фондырщ. Абы къикIыр, псом япэрауэ, медицинэ Iуэхутхьэбзэ псоми уасэ щхьэхуэ яIэ хъуащ. ЕтIуанэрауэ, медицинэ лэжьакIуэхэм я улахуэм и фондыр зэлъытар дэIэпыкъуэгъу зыхуэхъуа сымаджэхэм я бжыгъэрщ. Абы къыхэкIыу IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэр егугъун хуейщ зыкIэлъыплъа сымаджэхэм ятеухуа тхылъхэр щыуагъэншэу гъэхьэзырыным, ахэр зыхуей хуэгъэзауэ Iэмал зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ фондым Iэрыгъэхьэным. А тхылъымпIэхэр тэмэму щымытмэ, зы щыуагъэ мыхьэнэншэ фIэкIа мыкIуами, абы къыпэкIуэ ахъшэр къаIэрыхьэнукъым. Абы и лъэныкъуэкIэ я лэжьыгъэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм хэдгъэгъуэзэн папщIэ, медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, дохутыр нэхъыщхьэхэр хэту зэIущIэхэр мызэ-мытIэу едгъэкIуэкIащ. Пэжщ, Iуэхум хэзэгъэхукIэ щыуагъэхэри яIэщIэкIащ, абы псалъэмакъи къишащ, ауэ иджыпстукIэ псори зэфIыхьэжащ, дохутырхэми къаIэрыхьэн хуея ахъшэхэр иратыжащ. Узыншагъэр хъумэным и IуэхущIапIэ щхьэхуэхэр зэрызэхагъэхьэжам, нэгъуэщIу жыпIэмэ, поликлиникэхэр, амбулаторэхэр сымаджэщ нэхъыщхьэхэм зэрырапхыжам теухуауэ мыарэзыныгъэ куэд зэрыщыщIэми щытепсэлъыхьащ зэIущIэм. Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, узыншагъэм щыкIэлъыплъ IуэхущIапIэхэр 128-рэ хъууэ щытати, иджы ахэр 61-м хуагъэкIуащ. «Ар хуэунэтIащ цIыхухэм ягъуэт медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр нэхъри егъэфIэкIуэным, — къыпищащ и псалъэм Шэтым. — 2009 — 2011 гъэхэм Шэджэм, Аруан, Лэскэн куейхэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ я советхэм я унафэкIэ а районхэм апхуэдэ IуэхущIапIэхэр щызэгуагъэхьэжащ. Зэманым къигъэлъэгъуам тепщIыхьмэ, Iуэхур нэхъ ефIэкIуауэ аращ, къапщтэмэ, а куейхэм щыпсэухэм медицинэ Iуэхутхьэбзэ и лъэныкъуэкIэ яIэ тхьэусыхафэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Участкэ сымаджэщхэм, амбулаторэ цIыкIухэм яIэрыхьэ мылъкур тэмэму къэгъэсэбэпа хъуркъым. Къуажэ амбулаторэм и дохутыр нэхъыщхьэм и закъуэщ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэу абы щыIэр, адрейхэр курыт, нэхъыщIэ лэжьакIуэхэрщ. Абыхэм къищынэмыщIауэ, апхуэдэ IуэхущIапIэхэм яIэщ бухгалтер, экономист, шофер, нэгъуэщIхэри. Аращи, я мылъкум и процент 80-р абыхэм ират улахуэм макIуэ, медицинэ IэщIагъэлIхэр къащтэну Iэмал яIэкъым. Мис аращ дохутыр ныбжьыщIэхэр къуажэхэм къыдэкIыурэ къалэшхуэхэм щIэкIуэр. Апхуэдэу зым и дежкIи щэхукъым къуажэхэм дэт сымаджэщхэм зыщызыгъэхъужхэр абы жэщым къызэрыщIэмынэр. ЦIыхур сымаджэщым щIагъэгъуэлъхьамэ, ар жэщи махуи дохутырым и нэIэм щIэтын хуейуэ аращ, абы хуатха хущхъуэхэр тэмэму ирахьэлIэу. АтIэ къуажэхэм дэ дызыщрихьэлIэр сыт? Сымаджэр жэщым и унэм мэкIуэж. Абы тэмэму дауэ узэреIэзэнур? Къапщтэмэ, къуажэ амбулаторэхэм, участкэ сымаджэщхэм цIыхухэм апхуэдэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ тэмэм щратыфыну щыткъым. Аращи, цIыхухэр районхэм е Налшык къалэ щыIэ сымаджэщхэм макIуэ. Апхуэдэу щытми, къуажэхэм дэт медицинэ IуэхущIапIэхэр жэщи махуи лажьэ хуэдэу, абы тещIыхьауэ мылъку хухах… Нобэ къуажэхэм щыIэ медицинэ IуэхущIапIэхэм нэхъыщхьэу дэ яхуэдгъэувыр япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ цIыхухэм иратыфу я Iуэхур зэтраублэнырщ. Медицинэ IуэхущIапIэхэр зэрызэгуагъэхьэжым щхьэкIэ зи IэнатIэр зыфIэкIуэдын щыIэ жыпIэмэ, ахэр бухгалтерхэрщ, экономистхэрщ — нэгъуэщIу жыпIэмэ, медицинэм емыпхауэ къуажэ амбулаторэхэмрэ участкэ сымаджэщхэмрэ щылажьэхэрщ. А IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, япэм я щхьэ Iуэху езыхэм дагъэкIыжу щытамэ, иджы район сымаджэщхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэм я нэIэм щIэту лэжьэнущ. Къыдагъэхуа мылъкум къыхэкIыу къуажэхэм щылажьэ дохутырхэмрэ медсестрахэмрэ я улахуэм процент 25-р хущIагъунущ. АдэкIэ министрыр тепсэлъыхьащ республикэм щаухуэ медицинэ IуэхущIапIэхэм, жьы хъуахэр зэрызэрагъэпэщыжым. Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм щекIуэкI нэхъ лэжьыгъэшхуэ дыдэхэм ящыщу къыхигъэщащ псантхуэ узыфэ зыпкърытхэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэр сыт и лъэныкъуэкIи егъэфIэкIуэныр зэтеублэныр. Абы хуэунэтIауэ Республикэ клиникэ сымаджэщым хэту псантхуэ узыфэхэм щеIэзэ центр къызэIуахынущ, абы и къудамэхэр къыщызэрагъэпэщынущ Налшык къалэ сымаджэщ №1-мрэ Прохладнэ къалэ сымаджэщымрэ. Ахэр зыхуеину Iэмэпсымэхэр медицинэм зэрызиужьым тещIыхьауэ, иджырей мардэхэм хуэкIуэу къащэхуащ икIи мыгувэу ягъэувынущ. Апхуэдэу мы гъэм яухынущ Лэскэн районым хыхьэ Анзорей жылэм щаухуэ сымаджэщыр. Лышх узыфэм щеIэзэ сымаджэщ 2016 гъэм ирихьэлIэу къызэIуахынущ, я мурадщ Перинатальнэ центр яухуэну. Медицинэ IуэхущIапIэ зыбжанэ зэрагъэпэщыжащ, а лэжьыгъэхэр и кIэм щынэмысахэри щыIэщ. Мы илъэсым и кIэухым Республикэ клиникэ сымаджэщым и хирургие къудамэм щекIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэфIэкIынущ. Республикэм и курортхэм я гугъу щищIым, Шэт Ирмэ къыхигъэщащ жьэн уз зиIэ сабийхэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ «Звездочка» санаторэм и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа Iуэхугъуэ пыухыкIахэр зэраубзыхуар, апхуэдэу цIыкIухэм зыщагъэпсэхуу щыта нэгъуэщI санаторэхэри къызэрызэIуахыжынур. — Фызэрыщыгъуазэщи, куэд щIакъым сэ мы къулыкъум сызэрыпэрыувэрэ, — жиIащ министрым. — А зэманым къриубыдэу щIэ гуэр къыхэплъхьэнуи ар гъащIэм хэпща хъунуи Iэмал щыIэкъым. Къапщтэмэ, сэ иджыри къэс лэжьыгъэм зыхэзгъэгъуэзауэ, IэнатIэм и Iуэху зыIутыр зэзгъэщIауэ аращ. ЖысIэфынуращи, сызыхэт гупыр Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIщ икIи си гугъэщ республикэм узыншагъэр хъумэн и IэнатIэм зэгъусэу ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрыдгъэхьэну, абы адэкIи зедгъэужьыну. ЩхьэщэмыщI Изэ. Сурэтыр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26610.txt" }
Лъэпкъым и псэ Адыгэм тхыбзэ дызэриIэрэ илъэси 160-рэ зэрырикъуар ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыпIэ псоми щагъэлъэпIащ. Абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр къыщызэрагъэпэщащ Адыгэ Республикэм хыхьэ КIыщмей Ин, Хьэжыкъуэ, Агуий-Шапсыгъ къуажэхэм дэт курыт школхэм. КIыщмей Ин жылэм и курыт школым цIыхушхуэ къыщызэхуэсащ а махуэм. Абы щылажьэ лъэпкъ музейм махуэшхуэ гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэту тIу къыщызэрагъэпэщащ. Япэм хагъэхьащ дыщэидэм хуэIэкIуэлъакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр, сабийхэм ящIа сурэтхэр. Ахэр хуэгъэпсат тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iус шапсыгъхэм я бзылъхугъэхэм щыщу дыщэ IуданэкIэ дахэу хэзыдыкIыфу щытахэм. Ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдекIуэкIыу щыта а IэпщIэлъапщIагъэр, ди жагъуэ зэрыхъущи, хуэм-хуэмурэ мэкIуэдыж. Иужьрей зэманым Iуэху щхьэпэхэр зэфIэха мэхъу а IэрыкI телъыджэр къэгъэщIэрэщIэжыным хуэунэтIауэ. Ди школакIуэхэм ящыщ куэд иджыпсту дехьэх дыщэидэм. Ар къазэрехъулIэр гъэлъэгъуэныгъэм щынэрылъагъут. Школым къыщызэрагъэпэща етIуанэ гъэлъэгъуэныгъэри удэзыхьэхт, дахэт, уеблэмэ къэуат зыщIэлът — абы лъэпкъ шхыныгъуэхэр щыкуэдыкIейт. ШколакIуэхэм, балигъхэр я дэIэпыкъуэгъуу, ягъэхьэзыра ерыскъым хэIэба нэужь, музейм екIуэлIа псори ирагъэблэгъащ лъэпкъ щэнхабзэм и пшыхьым. Зэхыхьэ инхэр щекIуэкIыу школым иIэ пэшышхуэм и утыкум еджакIуэ цIыкIухэм я творческэ зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ. Ахэр дахэу къэфащ, адыгэ уэрэдхэр жаIащ, усэхэм къеджащ. — Къыхэпхыныр умыщIэу лэжьыгъэфI защIэщ нобэрей утыкум сабийхэм щагъэлъэгъуар, — жиIащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ школым щезыгъэдж Гъуащэ Сэламэт. — ФIыщIэ ин яхузощI махуэшхуэр гъэлъэпIэным зи къарурэ зэфIэкIрэ езыхьэлIа псоми: ныбжьыщIэхэми, абыхэм я егъэджакIуэхэми, адэ-анэхэми. Лъэпкъ шхыныгъуэхэр гъэхьэзырынымкIэ, ахэр Iэнэм къытегъэувэнымкIэ нэхъ IэкIуэлъакIуэу ябжащ 5-нэ классым и еджакIуэхэу Хъущт Джульеттэ, Митрофанов Семен, Беккер Егор сымэ. Сурэт щIынымкIэ нэхъ Iэзэу къалъытащ пэщIэдзэ классхэм щеджэхэу Ныбэ Саидэ, Гъуащэ Бэллэ, IэщIыгу Тимур, класс курытхэм щIэсхэу Гъуащэ Елмэс, Ныбэ Iэминат, ЛIыфI Амир, класс нэхъыжьхэм я еджакIуэхэу Хъущт Сарэ, Гъуащэ Русетэ, ЛIыфI ФатIимэ сымэ. НЫБЭ Анзор. Шапсыгъ щIыналъэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26613.txt" }
Зыри гулъытэншэ хъуакъым Бахъсэн районым зэпеуэ гъэщIэгъуэн щрагъэкIуэкIащ иджыблагъэ. «А ну-ка, девушки!» зыфIаща зэхьэзэхуэм я зэфIэкI ягъэлъагъуэу хэтащ егъэджакIуэхэр, сабий гъэсапIэхэм я унафэщIхэр, район администрацэм и лэжьакIуэхэр. Куба къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щызэхаша зэпеуэр я жэрдэмт куей администрацэм и Iэтащхьэм, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я профсоюз комитетым, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм. Пашэныгъэм хуэпабгъэ цIыхубзхэм уэрэд жаIащ, дэтхэнэри гъэхуауэ усэ къеджащ, апхуэдэуи пщэфIэным зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр къагъэлъэгъуащ. Псоми щIэщыгъуэ ящыхъуат цIыхубзхэр армрестлинг спорт лIэужьыгъуэмкIэ зэрызэхьэзэхуари. ЦIыхубзхэм я зэфIэкIхэр къэпщытакIуэ гупым зэхалъхьэжа нэужь, япэ увыпIэр ялъысащ «ХьэтIохъущыкъуей хъыджэбзхэм», етIуанэ хъуащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм и етIуанэ школым къикIа «Дахэ дыдэхэр», «Кременчуг-Константиновские незабудки» гупым ещанэ увыпIэр хуагъэфэщащ. Гулъытэншэ ящIакъым адрей цIыхубзхэри: усэ къеджэнымкIэ нэхъыфIу къалъытащ Шыбзыхъуэ Леся (Ислъэмей къуажэ школ №4-м и лэжьакIуэ), шхыныгъуэ нэхъ IэфI зыгъэхьэзырахэм къахэщащ Бахъсэн район администрацэмрэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и курыт еджапIэ №3-мрэ я гупхэр, уэрэд дахэу жызыIахэмрэ къэфэкIэ нэхъ екIу къэзыгъэлъэгъуахэмрэ къахэбелджылыкIащ Жанхъуэтекъуэ щыщ Ахъмэт Эльвирэрэ Куба дэт езанэ школым къикIа гупымрэ. Шэбаз Миланэ (Бахъсэненкэ жылагъуэм школакIуэ ныбжьым нэмыса сабийхэм щадэлажьэ) «Гупым и пашэ нэхъыфI» цIэр фIащащ. «Лучшая визитная карточка» Iыхьэр ей хъуат ХьэтIохъущыкъуейм и лIыкIуэхэм. Спортым хуэIэрыхуэу къалъытащ Щокъуий Маринэрэ (Къулъкъужын Ищхъэрэ) Мэлбахъуэ Иринэрэ (Куба школ №2). Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм иратащ щIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ. Апхуэдэуи «Урысей зэкъуэт» политикэ партымрэ профсоюзымрэ къабгъэдэкI тыгъэхэри ягуэшащ. АЛОКЪУЭ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26617.txt" }
Лэжьыгъэ дахэхэр Дэ ди къалэн нэхъыщхьэр Налшык и паркхэр къабзэу, дахэу зехьэнырщ, зызыгъэпсэхуну къакIуэхэр арэзы тщIыуэ я нэгу зедгъэужьынырщи, жэуаплыныгъэ пылъу а Iуэхум дыбгъэдэтщ. ЗыгъэпсэхупIэ хадэм илъэс къэс лэжьыгъэшхуэ щыдогъэкIуэкI, цIыхухэм я гур хэхъуэу къыщакIухьын щхьэкIэ. Уеблэмэ удз гъэгъахэм, къэкIыгъэ дахэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр утыку къыщыдохьэ. Сабий зеиншэхэр щапI унэхэм щыIэ цIыкIухэм махуэ щхьэхуэхэр яхухыдохри я нэгу зыдогъэужь, концертхэм идогъэплъ, аттракционхэм пщIэншэу идогъэс. 2012 гъэм паркыр зыхуей хуэгъэзэным теухуауэ куэд тщIащ. Апхуэдэщ ди къарукIэ удзхэр, жыгхэр зэрыхэтсар. ЦIыхухэм фIыуэ загъэпсэхун щхьэкIэ зэкIэ дызыхунэсахэм ящыщщ Милицэм и скверым и лъэс лъагъуэхэм плиткэ зэритлъхьар, уэздыгъэр къыщыщIэнэу зэрытщIар, тетIысхьэпIэ дахэхэр зэридгъэувар. Арманд и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Лермонтовым и уэрамым нэсыху кIуэ лъэс лъагъуэми плиткэ тетлъхьащ. ТекIуэныгъэм и паркыр дахэу къэтхухьащ икIи мы гъэ дызытехьам абы лэжьыгъэшхуэ щедгъэкIуэкIыну ди гугъэщ. Апхуэдэу ди мурадхэм ящыщщ лъэс лъагъуэ псоми плиткэ тетлъхьэныр, уэздыгъэхэр къыщIэнэу тщIыныр, тетIысхьэпIэ дахэхэр щыдгъэувыныр. Зоопаркым и гупэмкIэ, зэрыфщIэжщи, цIыхухэм яхухэха зекIуапIэ имыIэу, гъуэгум тету псоми къакIухьу щытати, абыкIи плиткэ зытелъ лъэс лъагъуэ щытщIащ. «Аврора» кинотеатрым и щIыбагъым къыдэт Октябрь-ский скверри къэтхухьри, абыи лэжьыгъэшхуэ етщIылIащ. Иджы абы зыгъэпсэхуакIуэхэр куэду щыболъагъу. Искож хьэблэм дэт «Дружба» скверыр къэтщIыхьащ, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэдгъэзащ. Къэнар уэздыгъэхэр къыщIэнэу щIын закъуэращи, ар мы гъэм худимурадхэм ящыщщ. Абхъазым и утри къабзэлъабзэу зыдохьэ, щэбэт, тхьэмахуэ махуэхэм абы жармыкIэ щыдогъэкIуэкI. Лермонтовым и цIэр зезыхьэ уэрамыр щиухым хуэзэ парк ихьэпIэм деж удзым къыхэщIыкIа сыхьэтышхуэ «щидгъэтIылъыкIащ», тетIысхьэпIэ дахэхэр щыдгъэуващ. Паркхэм тетIысхьэпIэу блыщI, сабий спорт комплексу хы идгъэуващ. 2013 гъэм къриубыдэу Дей жыг хадэр, ТекIуэныгъэм и паркыр, къалапщэм щыIэ бульварыр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIа лэжьыгъэшхуэ едгъэкIуэкIыну ди гугъэщ. ШЫМЭЗОКЪУЭ Мусэ, «ЗыгъэпсэхупIэ парк зэгухьэныгъэ» автономнэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26620.txt" }
Нэмысыншагъэ къудейуэ къанэркъым Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ — Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Хлопонин Александр мэлыжьыхьым и 1-м едэIуащ цIыху куэд зэрызэзэуам теухуа уголовнэ, административнэ Iуэхухэр зэрызэхагъэкIымкIэ Ставрополь крайм и полицэмрэ прокуратурэмрэ я унафэщIхэм ящIа докладхэм. Мы Iуэхур къыщыхъуар Ставрополь къалэрщ. Гъатхэпэм и 31-м пщыхьэщхьэр сыхьэт 21-м деж Щэнхабзэмрэ спортымкIэ унэм и гупэм зэуэ цIыху 20 щызэзэуащ. «Сэ къызэрызжаIамкIэ, зэзэуахэм яхэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и университетым щIэс студентхэм ящыщи. Ар пэжмэ, студентхэр вузым къыщIадзыжын хуейщ», — ткIийуэ къигъэуващ Хлопонин Александр. Абы къигъэлъэгъуащ апхуэдэ хабзэншагъэхэм езы университетри, абы щеджэ щIалэхэр къыздикIа республикэхэри зэрагъэпудыр. Хлопонин Александр Кавказ Ищхъэрэм и субъектхэм я Iэтащхьэхэм гу лъаригъэтащ дэтхэнэ къалэми, районми, къуажэми гъэсэныгъэр щегъэфIэкIуэн зэрыхуейм: «Кавказым сыт щыгъуи унагъуэ хабзэхэм мыхьэнэшхуэ щаIэщ. Дэтхэнэ сабийри зыхапIыкIа унагъуэр къигъанэу нэгъуэщI къалэ щыкIуэм и деж зыхищIэн хуейщ и адэ-анэм я пащхьэ жэуапышхуэ зэрыщихьыр. Апхуэдэу абы зыщигъэгъупщэ хъунукъым хабзэр щытепщэ къэралым зэрисыр икIи законым ебакъуэмэ, жэуап ткIийм зэрырашэлIэнур. УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм зэзэуа гупым яхэта студентхэм я адэ-анэхэм яхуигъэуващ ахэр Ставрополь кIуэуэ я бынхэр унэм яшэжыну. Хлопонин Александр апхуэдэу къыхигъэщхьэхукIащ дэзыхьэх Iуэхухэм ятещIыхьауэ щIалэгъуалэр зэкъуэзыгъэувэ лэжьыгъэ езы вузхэми зэрырагъэкIуэкIыпхъэр. Абы жиIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и вузхэм я ректорхэм я совет иджыблагъэ къызэрызэрагъэпэщар икIи абы япэ дыдэу иригъэкIуэкIыну и зэIущIэм мы Iуэхум зэрыщыхэплъапхъэр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26622.txt" }
«Король Лир» спектаклыр утыку кърахьэ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым утыку кърехьэ Шекспир Уильям и «Король Лир» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр. Ар игъэуващ театрым и режиссер нэхъыщхьэ, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Теувэж СулътIан. КъБР-м и Iэтащхьэм театр гъуазджэм хухиха грантымкIэ ягъэува етIуанэ спектаклщ мыр. Япэр Толстой Алексей и «Орел и Орлица» пьесэм Къэбэрдей драмэ театрым къытрищIыкIа «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» спектаклырщ. «Король Лир» спектаклым щоджэгу КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Кулахметовэ Рушание, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Балъкъыз Валерэ, роль нэхъыщхьэр зыгъэзащIэр театрым и актер пажэ Iусейн Олегщ. Спектаклыр мэлыжьыхьым и 9-10-хэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэлъэгъуэнущ, сыхьэт 19-м щIидзэу. ГЕРАСИМОВЭ Риммэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26625.txt" }
ГушыIэм нэхъыфI сыт щыIэ?! ГушыIэ жанрым и артистхэм я Кавказ Ищхъэрэ фестивалыр, УФ-м и цIыхубэ артист ТIыхъужь Алий и цIэр зезыхьэр, Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щызэхэтащ. «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэ» фIэщыгъэ иIэу илъэс къэс ирагъэкIуэкI зэхыхьэр сыт щыгъуи гукъинэж мэхъу. Мы гъэми артистхэр я зэфIэкI еблэжакъым, цIыху куэдым я гукъыдэжыр къаIэтащ. Фестивалыр гушыIэ къафэ щIэщыгъуэкIэ къызэIуихащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым. Театрым, киномрэ телевиденэмрэ я «Зокх» студием (Ингуш Республикэ) игъэхьэзыра программэр уигу иримыхьынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Ингуш Республикэм и цIыхубэ артисткэ Картоевэ Зарэ дригъэдэIуащ «Нанэм и хъыбархэр» монологым. Къуэрылъхум и жэрдэмкIэ Москва къалэшхуэм къыщыхута нанэр куэдым къегъэуIэбжь, къэралым и щыхьэрым къыщыхъу Iуэхугъуэхэмрэ цIыхухэм я зэхэтыкIэмрэ ар арэзы техъуэфыркъым. Ингуш Республикэм и цIыхубэ артист Вангиев Руслан утыку кърихьащ Аверченкэ Аркадий и «Индейка с каштанами» хъыбарыр. Бугоев Амир «Удз гъэгъа узот» уэрэдыр игъэзэщIащ. Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къыбгъэдэкIыу фестивалым хэтащ Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ Шэрджэс драмэ театрым и артистхэр. Абыхэм ягъэлъэгъуащ КъШР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тут Тезадэ зэхилъхьа «Ныбжьэгъухэр» гушыIэ пычыгъуэр. Осетие Ищхъэрэ-Аланием и «Амыран» щIалэгъуалэ студием хэтхэм гъэщIэгъуэну зыпащIыжащ урысей уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм. Зэхыхьэшхуэр ягъэдэхащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и театриплIми. Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым игъэлъэгъуащ Каграманян Грант игъэува «Медведь» спектаклым щыщ Iыхьэ. Музыкэ театрым утыку кърихьащ «Хьэбалэрэ Хьэбашэрэ» теплъэгъуэ кIэщIыр. Псом хуэмыдэу цIыхухэм ягу ирихьат ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым игъэува «Псэлъыхъухэр» спектаклым щыщ пычыгъуэр. Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ Атмурзаев Магомед игъэува «Трактирщица» спектаклыр зыгъэлъэгъуа Балъкъэр къэрал драмэ театрым и артистхэми. Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и пэшышхуэм а махуэм къыщIэIукIа дыхьэшх макъымрэ цIыхухэм я нэгум къища нэжэгужагъэмрэ псалъэншэуи къыуагъащIэрт артистхэм фестивалыр къазэрехъулIар. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26627.txt" }
Мы махуэхэм Мэлыжьыхьым и 6, щэбэт УФ-м и МВД-м и следственнэ органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ 1896 гъэм Афины къалэм (Алыдж) япэ Олимп Джэгухэр къыщызэIуахауэ щытащ. 1930 гъэм Ленин, Вагъуэ Плъыжь орденхэр къащтащ. Дирижер, композитор, УФ-ми Къалмыкъ Республикэми я цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Темыркъан Борис и ныбжьыр илъэс 76-рэ ирокъу. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик Бырсыр Батырбий и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу. КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ АбытIэ Хъызыр и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу. Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ХъуэкIуэн Мурат и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 — 18, жэщым градуси 9 — 12 щыхъунущ. Мэлыжьыхьым и 7, тхьэмахуэ Геологым и махуэщ. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1966 гъэм гъатхэпэм и 31-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ. Узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ 1948 гъэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо организацэр (ВОЗ) къызэрагъэпэщащ. Урысей Дзэ-Тенджыз флотым и псыщIагърыкIуэ кхъухьхэм къулыкъу щызыщIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ Урысей Интернетыр (РУнетыр) къыщызэрагъэпэща махуэщ (1994 гъэм). ТхакIуэ, журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я журналист Мэзыхьэ Борис и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин къызэралъхурэ илъэс 65-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пщыхьэщхьэм уэшх къыщешхыну хуагъэфащэ. Хуабэр махуэм градус 19 — 23-рэ, жэщым градус 12 — 13 щыхъунущ. Мэлыжьыхьым и 8, блыщхьэ Дзэ комиссариатхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ Цыджанхэм я дунейпсо махуэщ 1918 гъэм къыдэкIащ Сихъу Сэфарбий и усэхэр зэрыт тхылъ. Адыгэ Республикэм щыщ парт, совет лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Чэмокъуэ Аслъэнджэрий къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу. Композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тыкъуэ Къаплъэн и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 — 24-рэ, жэщым градус 14 — 16 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26633.txt" }
Ди бзэр Iумпэм дывмыгъэщI Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ дахэм щыпсэууэ зи лъэпкъ гъащIэр къызыфIэIуэху дэтхэнэми зыфхузогъазэ! Хуэфащэ пщIэ яхуэдвгъэщI ди анэдэлъхубзэкIэ къыдэкI «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым. Ди гулъытэр лъыдвгъэгъэс бэрэжьей къэс адыгэбзэ тхыгъэхэр тезыдзэ «Баксанский Вестник»-мрэ, «Баксан» газетымрэ. Сэ мы газетищми «Iуащхьэмахуэ» журналми я зы тедзэгъуэ блэзгъэкIыркъым. Си гум псэхугъуэ егъуэт ахэр къыщысIэрыхьэкIэ. Газетхэм ибгъуэтэнущ IущыгъэкIэ гъэнщIа тхыгъэхэр. Ахэр ятеухуащ хабзэм, нэмысым, тхыдэм, цIыху цIэрыIуэхэм, унагъуэ дахэхэм. Илъэс блыщIым си ныбжьыр щхьэдэхами, сызыщымыгъуазэ куэд абыхэм ноби къызоджыкI. Пощтзехьэм а газетхэр къыщысIэригъэхьэну дакъикъэр къысхуэмыгъэсу сыпоплъэ жысIэмэ, фэрыщIагъ хэлъкъым. Дауэ уемыджэу блэбгъэкIыну анэдэлъхубзэкIэ тхахэр, гушыIэхэр, псалъэ шэрыуэхэр?! «Адыгэ псалъэ» газетым щыгъуазэ дищIыркъэ адыгэм и тхыдэ жыжьэм, дигъэцIыхужыркъэ ди хэкулI нэсхэр, IэпщIэлъапщIэхэр?! Лъэпкъым и тхыдэм и хъумакIуэщ мы газетыр жытIэми, дыщыуэнукъым. Абы ди нэгу къыщIегъэувэф хамэ щIыпIэ къыщыхута ди лъэпкъэгъухэм я псэукIэмрэ абыхэм я Хэкум къыхуаIэ лъагъуныгъэмрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI IуэхущIафэхэри ди къуэш республикэхэм щыхъыбархэри — куэд мэхъу журналистхэр зытепсэлъыхьыр. Уи къэухьым хэзыгъахъуэ, уи гупсысэм зезыгъэужь IэмалыфIу къэслъытэ «Адыгэ псалъэр» сэ согъэлъапIэ. ФIыщIэ яхузощI абы и лэжьакIуэхэм. Шэч къытесхьэркъым газетыр 2013 гъэм нэхъри зэрефIэкIуэнум. Журналистхэм дащогугъ я тхыгъэ щIэщыгъуэхэмкIэ дагъэгуфIэну. ПщIэ зыхуэсщI адыгэхэ! Ди бзэр Iумпэм дывмыгъэщI. ДывгъэгъэлъапIэ ди бзэм зезыгъэужь газетымрэ журналымрэ. ПЭУНЭЖ-БЭЧ Хьэлий. Къулъкъужын Ипщэ къуажэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26635.txt" }
Я Iуэху зыIутым щыгъуазэ зещI Къанокъуэ Арсен иджыблагъэ еплъащ республикэм и ведомствэу щы — КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэр, КъБР-м ЭнергетикэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ тариф политикэмкIэ и министерствэр, апхуэдэу КъБР-м ФинансхэмкIэ и министерствэм и отдел зыбжанэ зыщIэс унэм. КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ ар зэгъэпэщыжын хуейуэ къызэрилъытэр икIи министерствэхэм я унафэщIхэм я пщэ ирилъхьащ зыхуеину ахъшэм и сметэхэр ягъэхьэзырыну. «ЛэжьапIэ пэшхэр, псом хуэмыдэу къекIуалIэ цIыхухэр зыщIыхьэхэр зыхуей хуэгъэзапхъэщ. Мы IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэри къызэрыгуэкI цIыхухэри ведомствэм гукъыдэжышхуэ яIэу къыщIыхьэн хуейщ. ИкIэщIыпIэкIэ щхьэгъубжэхэр зэфхъуэкI, иджыпсту хэлъхэр жьы хъуащи, дэнэкIи щIыIэр къыдеху», — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пэшхэм ящыщ зым щIэт кубок зыбжанэм гу щылъитэм, Къанокъуэ Арсен къыхилъхьащ ди спортсмен цIэрыIуэхэм къахь дамыгъэхэр щагъэлъагъуэ стенд министерствэм и пэIущIэ пэшым къыщызэIуахыну: «Кубокхэр, адрей саугъэтхэр, ди спортсмен лъэщхэм я сурэтхэр къытевгъэувэ, къекIуалIэхэм ди ехъулIэныгъэр ялъагъун хуэдэу. Туризмэм зэрызиужьыр къэзыгъэлъагъуэ сурэт екIухэр къыфIэвдзэ». Унэр ведомствэу щым я лэжьакIуэхэм къазэрезэвэкIыр щилъагъум, КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ Спортымрэ туризмэмкIэ министерствэр нэгъуэщI унэ ягъэIэпхъуэмэ зэрынэхъыфIыр. А Iуэхур дэгъэкIа зэрыхъуну щIыкIэр мыгувэу яубзыхунущ. Дызэрыщыгъуазэщи, адрей тхьэмахуэ кIуам Къанокъуэ Арсен КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм щыIащ икIи абы и лэжьакIуэхэм я Iуэху зыIутым щыгъуазэ зищIащ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ. Сурэтыр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26637.txt" }
«Этана»-м къыпэхъун Европэм щыIэкъым КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Правительствэм хэтхэр щIыгъуу мэлыжьыхьым и 4-м Май куейм зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ахэр япэу кIуащ полимер къабзэ къыщIэзыгъэкI «Этана» заводыр щаухуэну щIыпIэм. Абы и унафэщI Iэщын Сергей жиIащ IуэхущIапIэм лэжьэн щIидзэмэ, цIыху 3500-м щIигъу лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщыну зэрамурадыр, абыхэм я улахуэр ику иту сом мин 40-м нэблагъэу зэрыщытынур. Заводыр ухуэным хэлъхьэныгъэ мыцIыкIу хуэзыщI, Швецием къикIа гупым КъБР-м и Iэтащхьэр къагъэгугъащ ухуэныгъэхэр и чэзум зэфIагъэкIыну. Май куейм щаухуэ «Этана»-м къыпэхъун завод нобэкIэ Европэм щыIэкъым. КъыкIэлъыкIуэу Къанокъуэм иунэтIащ куей сымаджэщымрэ поликлиникэмкIэ. Абыхэм я унафэщIым, лэжьакIуэхэм захуигъэзащ, гукъеуэ яIэмэ зригъэщIащ. Май куей поликлиникэм и лэжьакIуэхэм КъБР-м и Iэтащхьэм зыкъыхуагъэзащ, 2011 гъэ лъандэрэ зэгъэпэщыжын ямыух я IуэхущIапIэм къекIуалIэ сыма-джэхэри езыхэри хуабжьу гугъу зэрехьым къыхэкIыу, Iэмал зэриIэкIэ, Iуэхум хэкIыпIэ къыхуагъуэтыну щIэлъэIуу. «Севкаврентген»-м къыщIигъэкI Iэмэпсымэхэр, абыхэм я лэжьэкIэр зригъэлъэгъуа нэужь, КъБР-м и Iэтащхьэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ органхэм я лIыкIуэхэр щIэсу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы и пэщIэдзэм Къанокъуэм жиIащ министрхэм зыгуэркIэ зыхуагъэзэнумэ, зыщIэупщIэн щыIэмэ жаIэну. Къанокъуэ Арсен и псалъэхэм къыхигъэщащ мыпхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкIмэ зэрыфIэкъабылыр, Iуэхум и пэжыпIэр къэпщIэн папщIэ псори уи нэкIэ плъагъумэ зэрынэхъыфIыр, къэрал къулыкъущIапIэм и къудамэ псори зэдэлажьэмэ, я Iуэхухэр нэхъыфIу зэфIэха хъуну къызэрилъытэр. Махуэм и кIуэцIкIэ ялъэгъуахэмрэ ар къазэрыщыхъуамрэ и гугъу щищIым, Къанокъуэм къыхигъэщащ мы куейм щыпсэухэр зэрыгуащIафIэр, щIым телэжьэнкIи, Iэщ гъэхъункIи сыт щыгъуи адрейхэм къахэжаныкIыу зэрыщытыр. Ар щхьэхуэу къытеувыIащ КИФЩI-м и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIыну зыщыгугъ «Этана» проектым, нэгъуэщIхэми. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Мусуков Алий. Абы и гугъу ищIащ мы щIыналъэм хухах мылъкумрэ ар къэгъэсэбэпа зэрыхъумрэ. ЗэфIагъэкIа Iуэхухэр, я мурадхэр къызэщIэзыкъуэ псалъэмакъ къызэхуэсахэр щIигъэдэIуащ Май куей администрацэм и унафэщI Шипов Владимир. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Май куейм зэрыщыIам теухуа тхыгъэ убгъуа ди газетым и къыкIэлъыкIуэ номерхэм ящыщ зым тетынущ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26640.txt" }
Бжьахъуэ Р. Б. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр фIэщыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ Журналистикэм и IэнатIэм щиIэ фIыщIэм икIи илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр фIэщын Бжьахъуэ Ранетэ Башир и пхъум — «Зольские вести» газетым и редакцэ» муниципальнэ IуэхущIапIэм и редактор нэхъыщхьэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм гъатхэпэм и 25-м №39-УГ Коробейников А. В. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ Илъэс куэд лъандэрэ къэрал лэжьыгъэр дагъуэншэу зэрырихьэкIым папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын Коробейников Александр Владимир и къуэм — Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым Ставрополь крайм егъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 4-м №48-УГ Быф А. Ж. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ Жылагъуэ-политикэ лэжьыгъэм тэмэму зэрыхэтым икIи республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм куэд зэрыхищIыхьам папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын Быф Анатолий Жэмал и къуэм — Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм Мылъкум пыщIа IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 4-м №49-УГ Елгъэр К. М. — «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр фIэщыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ литературэм зегъэужьыным къаруушхуэ зэрырихьэлIам икIи жылагъуэ лэжьыгъэм жыджэру зэрыхэтым папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр фIэщын Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм — «Iуащхьэмахуэ» журналым и редакцэ» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и редактор нэхъыщхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 4-м №50-УГ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26643.txt" }
Сабийхэр ягъэгушхуэ Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм и жэрдэмкIэ, школакIуэхэм я гъатхэ зыгъэпсэхугъуэм хиубыдэу, «Сабийхэрщ — ди къэкIуэнур» зыфIаща псапащIэ Iуэху гуапэ Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щрагъэкIуэкIащ. Я гукъыдэжыр къаIэтын, дэрэжэгъуэ, гухэхъуэ ягъуэтын, гуапагъэрэ Iэ фIыгъэрэ зыхрагъэщIэн папщIэ кърагъэблэгъащ зи ныбжьыр илъэси 5-м щыщIэдзауэ 16-м нэс сабий 300-м щIигъу. Зэхыхьэр щекIуэкI пэшым щыщIыхьэм абы-хэм шар гъэпщахэр, нып цIыкIухэр, сабий хьэндрэфийхэр иратащ. ФIэхъус псалъэ гуапэхэмкIэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэ полицэм и полковник Тату Къазбэч. «КъэкIуэнур зейр фэращ, фызыпэплъэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр гъэщIэгъуэну, дахэу ефхьэкIыну си гуапэщ», — яжриIащ абы. АдэкIэ Татум сабиигъуэр хъумэнымкIэ, къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм жыджэру зэрадэлажьэм папщIэ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Васильев Сергей къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ — LG ЖК телевизор, LG СМ макъамэ центр, микрофон зыщIыгъу GL-3120 кинотеатр — яритащ Нартан къуажэм дэт сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэна сабийхэмрэ щапI школ-интернат №5-м и унафэщI Алишанов АлисулътIан, «Нэмыс» балигъ мыхъуахэм я социально-реабилитацэ центрым и директор Къардэн Адэлбий, акъылкIэ, IэпкълъэпкъкIэ ныкъусаныгъэ зиIэ сабийхэмрэ балигъхэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ «Надежда» КъБР-м и жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафIэщI Емуз Иринэ, «Санаторнэ-Мэз школ №1» узыншагъэр щызэфIагъэувэж еджапIэ кIэзонэ IэнатIэм и директор Джаппуевэ Ларисэ сымэ. ПсапащIэ Iуэхур зыхуэгъэпса сабий зеиншэхэм, унагъуэ хуэмыщIахэм щапI цIыкIухэм, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм къащIэнахэм, школакIуэхэм я мызакъуэу, балигъхэми кърагъэблэгъа хьэщIэхэми гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ ящыхъуащ. Абыхэм я гукъыдэжыр къаIэтащ, я нэгу зрагъэужьащ КъБР-м, Ингуш Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Саприкинэ Галинэ зи художественнэ унафэщI «Волшебный мир» щапхъэ зытрах сабий театрым, Нарткъалэ и щIалэгъуалэ театр-студием, Куэшей Аликрэ Битокъу Оксанэрэ я гъэсэн «Нал цIыкIу» сабий ансамблым, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Романихинэ Иринэ зи пашэ, КъБКъУ-м и «Каллисто» къафэмкIэ театрым, Ахедагаевэ Еленэ зи Iэтащхьэ Налшык къалэ дэт Къэзэнокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ Сабийхэм я эстетикэ гъэсэныгъэмкIэ центрым и «Одноклассницы» вокал студием я гупхэм, дунейпсо, урысейпсо фестивалхэмрэ зэпеуэхэмрэ я лауреат, Прохладнэ къалэм дэт ГъуазджэмкIэ сабий школым и еджакIуэ Вахрамеевэ Дарья сымэ, нэгъуэщIхэми. Урысей Федерацэм Налшык къалэмкIэ и УВД-м и унафэщI полицэм и полковник ДыщэкI Назир Iуэхур щIызэхаублахэм, къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр зэщIэзыIэта концертым жыджэру хэта творческэ гупхэм фIыщIэ яхуищIащ, дипломхэр, удз гъэгъахэмрэ IэфIыкIэхэмрэ яритащ. Полицэм и лэжьакIуэхэм кърагъэблэгъа сабийхэр гуапэуи ирагъэжьэжащ — ахэр щыщIэкIыжым псыIэфIрэ мороженэрэ хуагуэшащ. УАРДЭ Женя. Сурэтхэр Холлаевэ Марзият трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26647.txt" }
Узденовыр псоми ятокIуэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щызэхыхьа «RUSSIAN BIGMONTAIN FREERIDE-2013» Урысей чемпионатыр мэлыжьыхьым и 1-м иухащ. Зэхьэзэхуэм къызэхуишэсащ Урысейм и фрирайд нэхъыфIу 70-м нэблагъэ. Спортсменхэр зэпеуащ бгы-лыжэ спортымрэ сноубордымкIэ. ЦIыхухъухэм я деж зэпеуэ лIэужьыгъуитIымкIи Iуащхьэмахуэ лъапэ и райдерхэм бжьыпэр яубыдащ. Япэ увыпIэр лъысащ къэралым и фрирайдер нэхъыфI, илъэс кIуам екIуэкIа чемпионатым текIуэныгъэ къыщызыхьа Тегенекли къуажэм щыщ Узденов Индрис. Дыжьыныр Эльбрус посёлкэм щыпсэу Матковский Рустам Iэрыхьащ. Абы и къуажэгъу Неппеев Азнаур ещанэ увыпIэр къихьащ. ЦIыхубзхэм бгы-лыжэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ я зэпеуэм щытекIуащ Москва щыщ Косинская Татьянэ. Магнитогорск къикIа Минеевэ Татьянэ — етIуанэ, Москва и лIыкIуэ Коровинэ Катя ещанэ увыпIэхэр къахьащ. СноубордымкIэ цIыхухъухэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ Iуащхьэмахуэ лъапэ щыщ райдер Джаппуев Алий. Сноубордист нэхъыфIым и къуэ Артур етIуанэ хъуащ. Жэзыр Москва щыщ Ильиных Игорь Iэрыхьащ. ЦIыхубзхэм я зэпеуэм щытекIуащ Москва областым и спортсмен Чекулаевэ Оксанэ. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Батдыевэ Кулинэ — етIуанэ, Петропавловск-Камчатск къикIа Дмитриевэ Аленэ ещанэ хъуащ. Фрирайд спорт лIэужьыгъуэмкIэ зэпеуэм пашэ ущыхъуныр хуабжьу гугъущ. Сыту жыпIэмэ, къыщыбжыхьыр ямыгъэкъэбза, зыри зэмыIуса уэс зытелъ щIыпIэрщ. Абы шынагъуэ зэрыпылъым къыхэкIкIэ, сноубордымрэ лыжэ спортымрэ хыхьагъащIэхэм щIыпIэ гугъусыгъухэм къыщамыжыхьмэ нэхъыфIщ. Сноубордымрэ бгы-лыжэ спортымрэ шынагъуэхэр зэрапылъыр къилъытэри, Дунейпсо Олимп комитетым ар Олимп джэгухэм хигъэхьакъым. ФрирайдымкIэ зэхьэзэхуэхэр Iуащхьэмахуэ лъапэ щокIуэкI 2000 гъэм щегъэжьауэ. Илъэс 15 и пэкIэ абы къыщежьащ Урысейм и экстремал бгы-лыжэ спорт лIэужьыгъуэр. Къэралым и фрирайд цIэрыIуэхэр — Iуащхьэмахуэ лъапэ и бгы-лыжэ спортсменхэрщ. НобэкIэ ахэр нэхъыбэу яхохьэ фрирайдымкIэ дунейпсо, урысейпсо зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм я судья гупхэм. Тарим Алисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26655.txt" }
Пашэхэр наIуэ мэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм ещанэ джэгугъуэр щекIуэкIащ. Пашэныгъэр зыубыдахэм абы текIуэныгъэхэр къыщахьащ. Апхуэдэу «Кэнжэр» «Эльбрус»-м текIуащ, «Гидро-ЭС»-м «Ислъэмейр» хигъэщIащ, «ЛогоВАЗ»-р зы топкIэ «Велес»-м щхьэщыкIащ, «Прохладнэр» «Тэрчым» ефIэкIащ. Бахъсэн и командитIри пашэхэм пэгъунэгъу яхуэхъуащ. Абыхэм я хьэрхуэрэгъухэм топ тхурытху худагъэкIащ. МыIейуэ къыщIадзащ «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэми. Фыщыдогъэгъуазэ КъБР-м и чемпионатым и ещанэ джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм: «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — «Велес» (Къэрэгъэш) — 1:0, «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «Шагъдий» (Зеикъуэ) — 2:2, «ГидроЭС» (Налшык) — «Ислъэмей» (Ислъэмей) — 3:0, «Нарт» (Нарткъалэ) — «Къэбэрдей» (Шэрэдж Ищхъэрэ) — 0:0, «Кэнжэ» (Кэнжэ) — «Эльбрус» (Тырныауз) — 5:3, «Тэрч» (Тэрч) — «Прохладнэ» (Прохладнэ) — 2:6, «Къэхъун» (Къэхъун) — «Автозапчасть» (Бахъсэн) — 2:5, «Бахъсэн» (Бахъсэн) — «СК-Союз-Сэрмакъ» (Сэрмакъ) — 5:1, «Спартак-Д» (Налшык) — «ДЕР» (Щхьэлыкъуэ) — 3:2. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26657.txt" }
НыбжьыщIэхэр зэпоуэ Жэмтхьэлэ щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ республикэпсо турнир. Хэку зауэшхуэм и ветеран, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъуж Атэбий Мухьэмэд и фэеплъ республикэпсо зэхьэзэхуэм илъэси 8 — 17 ныбжьым ит сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я командэу 7 хэтащ. Гуп зэпеуэм япэ увыпIэр къыщахьащ Налшык къалэ администрацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и комитетым и сабий-ныбжьыщIэ спорт школым зыщызыгъасэхэм. Щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэм тренер цIэрыIуэ ГъуэплъащIэ ТIэхьир и гъэсэнхэм яхузэфIэкIащ зэуэ япэ увыпIэу — 5, етIуанэу — 4, ещанэу — 2 къахьын. Я хьэлъагъ елъытауэ бжьыпэр яубыдащ Къуныжь Мурат (кг 29-рэ), Бабачиев Герман (кг 38-рэ), Къарэ Алан (кг 42-рэ), Къарэ Амиран (кг 46-рэ), Башиев Темболэт (кг 76-рэ) сымэ. Техникэ нэхъыфI иIэу зыкъигъэлъэгъуащ Къарэ Алан. Шэрэдж Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26659.txt" }
Нэхъ лъэщхэр къыхах 1997 — 1999 гъэхэм къалъхуа щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ атлетикэ хьэлъэмкIэ я зэхьэзэхуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Спортымрэ туризмымкIэ и министерствэмрэ Атлетикэ хьэлъэмкIэ и федерацэмрэ къызэрагъэпэщащ. Ар хухахауэ щытащ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм. Тырныауз и «Геолог» спорт комплексым щекIуэкIа а зэхьэзэхуэм спортсмен 50-м щIигъу зэхуишэсащ. Абы ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэр мэлыжьыхьым и 24 — 28-хэм Краснодар крайм и Сукко къалэм щызэхыхьэну Урысейм и еджакIуэхэм я спартакиадэм хэтынущ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта зэпеуэхэм пашэ щыхъуащ Къып Альберт, Лысенкэ Сергей, Нэзэр Владислав, Бичекуевэ Альбинэ, Хьэмырзэ Мухьэмэд, Доттиев Георг, Дзыгъуанэ Ислъам, Хапаев Магомед, Хъупсырджэн Астемыр сымэ. ЕхъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьахэм грамотэхэмрэ медалхэмрэ иратащ. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26661.txt" }
ЩIалэгъуалэ джэгухэр Налшык дэт еджапIэ №30, №31-хэм щекIуэкIащ илъэс 16 — 17 ирикъуа ныбжьыщIэхэм волейболымкIэ я зэхьэзэхуэ. Ди республикэм и къалэхэмрэ жылагъуэхэмрэ я цIыхухъу командэу 9 зыхэта мы зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ Налшык и гупым. ЕтIуанэр — Шэрэдж, ещанэр — Тэрч районхэм къикIахэм зэIэрагъэхьащ. ЦIыхубз командэхэр гуп 12 хъууэ зэпеуащ. Абыхэм я деж щытекIуащ Прохладнэ къалэм и спортсменхэр. ЕтIуанэ увыпIэр — Прохладнэ, ещанэр — Шэрэдж куейхэм я гупхэм къахьащ. ЕджакIуэхэм я республикэпсо спартакиадэм хыхьэу екIуэкIа мы зэпеуэхэм къызэрагъэлъэгъуам япкъ иткIэ, 1997 — 1998 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм волейболымкIэ я командэ къыхэхам хагъэхьэнухэр ягъэбелджылащ. Ахэр хэтынущ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм иригъэкIуэкIыну зэхьэзэхуэм. ЖАНХЪУЭТ Зузэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26663.txt" }
Урыхупс Уи бжьэпэм сытету, Урыхупс, Си гъащIэ блэкIам согупсыс: Уи толъкъун уэрхэу мывэм елъэм Къахощ щIалэгъуэм и фэеплъыр. Зэманым елъытауэ уи фэр, Урыху, уэ Iэзэу уохъуэжыфыр. Гъатхэм ущхъуантIэм, бжьыхьэм ущхъуэу, Лъэхъэнэ псори пхэлъ къысщохъур. Къыщежьэр дэнэ, Урыху, уи псыпэр? Къызэптыфыну и жэуапыр? «Къырыщхьэм сыкъыщыщIожри псынэу, Си псыпэм къелъыхъуэж гъуэгу зэрыжэнур. Сыбагъуэ защIэурэ къэскIу гъуэгум Гукъинэж Iэджи щIокIыр нэгум. Сыщхьэпэным зезгъэлIалIэу, СаIуроIэфIэ псы зыхуэлIэм. Дыгъэ жьэражьэм къызэфIигъащIэм Хызолъхьэжыфыр къаруущIэ. Загъэпсэхуну жэщкIэ псори жейм щыхилъафи, Жей симыIэу IузолъэсыкIыр сэ си Iуфэр, Си псапэри гуэныхьри здэсхьыжу, Тэрчыпс сыносри сыхолъэдэжыр». Чэгъэду Сэлихьэт.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26665.txt" }
ИщхьэкIэ къех удын УзыпэщIэува цIыхухэм я щIыналъэм щыпсэухэр къэбгъэдэIуэным мыхьэнэ ин иIэщ. Iэщэ къызыхуэпIэтахэм я фIэщ пщIын хуейщ уэ захуагъэм ухущIэкъу хуэдэу. Нэхъ мыхьэнэшхуэ иIэщ властыщIэр ягъэувмэ, гъащIэр ефIэкIуэну, къапэщыт къалэн псори езыр-езыру зэфIэкIыну къэбгъэгугъэнми. Аракъэ нобэ IэщэкIэ зэщIэузэда ваххабит зэщIэхъееныгъэм хэтхэм цIыхухэр къызэрагъапцIэри?! АрщхьэкIэ тхыдэм ещIэж власть зыгъэувыну хущIэкъухэм нэхъапэми апхуэдэ дыдэу цIыхухэр къагъэгугъэу зэрыщытар. Абыхэм къызыхураджэхэр куэдкIэ ещхьт иджырей «узэщIакIуэхэм» дызрагъэдаIуэхэми. 1942 гъэм нэмыцэхэм Кавказ Ищхъэрэм щыщ Iыхьэ яубыда иужь, абыхэм зэпымыууэ жаIэрт: ислъамым пщIэшхуэ хуащI хуэдэу. Ауэ ар фэрыщIыгъэ къудейт. Диныр даIыгъыу фэ зытрагъауэурэ, цIыхухъухэр вермахтым и муслъымэн зауэлI гупхэм зэрыхашэ Iэмалт. АрщхьэкIэ властыщIэхэм я тетыгъуэм диным и лъапIэныгъэхэм захъуэжырт. Яубыда жылагъуэхэм мэжджытхэр къыщызэIуахырт, ауэ абыхэм щагъэувырт уаз щаткIэ Гитлер Адольф «Кавказым и Iимам нэхъыщхьэу» щыту жаIэн хуейуэ. Абы щыгъуэми, щIыпIэхэм щыпсэухэр я лъэныкъуэ къащIын мурадкIэ, нэмыцэхэм газетитху къыдагъэкIырт. Абыхэм ящыщ зым зэреджэр «Къэзэуат»-т. Абы и къыхуеджэныгъэт мы псалъэхэр: «Алыхьыр ди щхьэщыгу итщ, Гитлер ди гъусэщ». 1942 гъэм зэрыпхъуакIуэхэм къызэрагъэпэщащ щIэпхъаджащIэ гупхэр зэкъуагъэувэнымкIэ абыхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъу Кавказ Ищхъэрэ лъэпкъ комитет. А гупхэм ефэндыхэр яхэтын хуейуэ ягъэуват. Нэмыцэхэм гулъытэшхуэ хуащIырт муслъымэн дин лэжьакIуэхэр къыдахьэхыным. Апхуэдэ ефэндыхэр щагъэхьэзыр школ щхьэхуэ къызэIуахат. А «дин лэжьакIуэхэм» Гитлер даIыгъыну къыхураджэу цIыхухэр къагъэдэIуэн хуейт. Зи гугъу тщIа псори блэкIа Iуэхущ, арщхьэкIэ ахэр иджы екIуэкIхэм щебгъапщэкIэ зэщхь куэд болъагъу. КъуэкIыпIэ гъунэгъум и еджапIэхэм щаущияхэракъэ ди щIыналъэхэм къэкIуэжу абыхэм властыр щызыIэщIагъэхьэну, езыхэм я хабзэхэр щагъэувыну хущIэкъур? Ахэракъэ илъэс тIощIым щIигъуауэ Кавказым лъы щызыгъажэр? Ахэракъэ щхьэусыгъуэ гуэри щымыIэу Урысейм и ипщэ щIыналъэхэм зауэр щызэхэзыублар? Пэжщ, блэкIа илъэс блыщIым зы вождым и пIэм адрейр ирагъэуващ. Иджы зэщIэгъэстакIуэхэм муслъымэнхэр къыхураджэ «Кавказ Эмират» къэрал нэпцIым и Iэтащхьэ Умаров Доку щхьэкIэ Тхьэ елъэIуну. Я жагъуэ хъуми, «джихьадым» и гъуэгум тетхэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм хуэдэу Iэмал ягъуэтыркъым Кавказ Ищхъэрэм газетхэр къыщыдагъэкIыну. АрщхьэкIэ езыхэм я Iуэху еплъыкIэ мыхъумыщIэхэр пхагъэкIын папщIэ абыхэм къагъэсэбэп интернетым и сайт щхьэхуэхэр. ИкIи, дауи, «моджахедхэм» щIэгъэкъуэн къащI дин-идеологие лэжьыгъэр. Ар езыгъэкIуэкIыр а Iуэхум хурагъэджа цIыхухэщ. Дэтхэнэ щIэпхъаджащIэ гупми хэтщ дин Iуэхухэм куууэ хэзыщIыкI боевик. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ваххабит бандэ гупхэм я ухуэкIэр зыкIи къыщхьэщыкIыркъым вермахтым и щIэпхъаджащIэ гупхэр къызэрызэрагъэпэщауэ щыта щIыкIэм. ЖытIэнщи, а зэгъэпщэныгъэр етхьэлIэфынущ мыбыи — иджырей ваххабитхэми къащыщIынур вермахтым зэщIигъэуIуа гупхэм кIэ ягъуэтауэ зэрыщытам хуэдэ дыдэущ. ИкIи языныкъуэ цIыхухэр ваххабитхэм нэхъ псынщIэIуэу къабгъэдэкIыхукIэ ахэр нэхъ лъэрымыхь хъунущ. НэгъуэщI къэралхэм къикIа ваххабизмым дин къабзагъэр хэзылъагъуэхэр хуабжьу щоуэ. Сыту жыпIэмэ, цIыхур фIыуэ щамылъагъу, абы гущIэгъу щыхуамыщI щIыпIэм Тхьэ щыIэнукъым. Ваххабизмыр ислъам зэпIэзэрытым къыщхьэщокI нэгъуэщI гупсысэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэ гуэри ауэ жыжьэуи зэримыдэмкIэ. Аращ цIыху куэд щIыхэкIуадэри. Черкесск къыщыщIэдзауэ Дербент нэс илъэс къэс бзаджащIэхэм щаукI къулыкъущIэхэри, егъэджакIуэхэри, дохутырхэри, Iэзэхэри, дин лэжьакIуэхэри. КIэщIу жыпIэмэ, дин хабзэщIэ хуагъэлъэгъуам темыхьэ псори. АрщхьэкIэ уегупсыс хъунукъым а бзаджэнаджагъэр къахуэгъуу. Пэжщ, «моджахедхэр» щIэпхъаджагъэ щалэжьа щIыпIэхэм пэрыуэншэу йокIыжыф, языныкъуэхэм я деж ахэр къацIыхуфыркъым. АрщхьэкIэ хьэкумэ нэхъыщхьэ щыIэщ. Ди щхьэщыгу итым псори елъагъу. Дигу къэдгъэкIыжынти, перс усакIуэ Хайям Омар и псалъэхэр: «ЗэхэпщIыхьа Iейм фIэкIыпIэ имыIэу уи деж къигъэзэжынщ». Тхьэм и хабзэр пхыгъэкIа зэрыхъум тхьэмахуэ зэхуаку къэс щыгъуазэ зыхуэпщIыфынущ интернетым ит хъыбархэмкIэ. ИкIи дэ мыбдеж зи гугъу щытщIыр хабзэхъумэхэм хъийм икIа хьэкIэкхъуэкIэхэм зэрызэтраукIэркъым. Куэдрэ къохъу щIэпхъаджащIэхэр зэрымыщIэкIэ щыхэкIуадэ. АрщхьэкIэ диныр зи фIэщ хъу дэтхэнэми къыгуроIуэ апхуэдэ «зэрымыщIэныгъэр» Алыхьым и Iэмыру зэрыщытыр. Мис апхуэдэу зэхуагъэм гъуэгу егъуэт: дэтхэнэри ирохьэлIэж илэжьам. Щапхъэхэм фыхуей? 2012 гъэм гъатхэпэм и 12-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Бахъсэн районым и Бахъсэнёнкэ къуажэм хабзэхъумэхэм зэхуащIащ «ВАЗ-2107» «hyundai» автомашинитIым я гъуэгур. Абыхэм иса цIыхухэм IэщэкIэ зыкъыпэщIасащ. Щызэзауэм щIэпхъаджащIэхэм я машинэхэм лагъымхэр къыщыуащ. Арати, боевикищыр апхуэдэ щIыкIэкIэ щIыхьыншэу дунейм ехыжащ. Абы ещхь нэгъуэщI къэхъуаи дигу къэдгъэкIыжынщ. 2012 гъэм и фокIадэм КъБР-м и Аруан куейм щыIэ Чёрнэ Речкэ къуажэм и гъунэгъуу полицейхэм гу лъатащ губгъуэм мафIэм щис «ВАЗ-21093» автомашинэм. КъызэрыщIэкIамкIэ, Дыгулыбгъуей къуажэм щыпсэу цIыхухъум тротил килограммым щIигъу зи лъэщагъ лагъымыр и автомобилым илът. Лъагъымыр къауэри, ар зышэр хэкIуэдащ. Абы ещхь Iуэхухэр къыщыхъуащ Кавказ Ищхъэрэм и республикэ псоми. Псалъэм и хьэтыркIэ, 2012 гъэм бадзэ-уэгъуэм и 26-м Махъэчкъалэ и «ЖыггъэкI» дачэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэм къыщыуащ «ВАЗ-21014» автомобилыр. МафIэсыр ягъэункIыфIа нэужь, абы хьэдищ, апхуэдэу Калашниковым и автомат, Стечкиным и кIэрахъуэ, «ИЖ-79-9Т» кIэрахъуэ, шэхэр кърахащ. IэщIагъэлIхэм къахутащ машинэм илъа лагъымыр къызэрыуар. Абы илъа IэщэмкIэ щIэпхъаджащIэхэр нэхъапэм хабзэхъумэхэм куэдрэ теуат. Бзаджэнаджагъэ зезыхьэхэм я мызакъуэу, удыныр тохуэ ахэр зыгъэхьэзырхэми. Аращи, Алыхьым ахэри зыхуей хуегъазэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, 2012 гъэм шыщхьэIум и 8-м Дагъыстэным и Каспийск къалэм дохутыр уIэгъэ щыхъуащ. Дызэрыщыгъуазэщи, «моджахедхэр» яхуолъэ апхуэдэ IэщIагъэ зиIэхэми. АрщхьэкIэ Iуэхур щызэхагъэкIам белджылы къэхъуащ Дагъыстэным къыщалъхуа, иджы Санкт-Петербург щыпсэу дохутыр-ортопедым ябгына унэ цIыкIум бомбэ IэрыщIхэр щигъэхьэзыру зэрыщытар. Абыхэм ящыщ зыр къауэри, цIыхухъур уIэгъэ ищIащ. Гудермес къалэм (Шэшэн) къыщалъхуа нэгъуэщI «IэпщIэлъапщIитIми» 2012 гъэм бэдзэуэгъуэм и 29-м хуэфащэ къащыщыщIащ Ингушым и Галашки къалэм. Бомбэ IэрыщIхэр къыщыуащ ахэр щагъэхьэзыр унэхэм ящыщ зым. Абы щIэса щIэпхъаджащIитIыр псэууэ къелакъым. Iей зыщIэр Iейм зэрытекIуэдэжыр уагъэлъагъу игъуэ нэмысу хэкIуэда «моджахедхэм» ятеухуа хъыбархэм. Абыхэм къыхагъэщ хабзэщ дэтхэнэ боевикым илэжьа бзаджэнаджагъэр зыхуэдизыр. Апхуэдэхэм я гъащIэр щIыхьыншэу яух. Мис щапхъэхэм ящыщ зытIущ. 2012 гъэм и щэкIуэгъуэм Шэшэным и полицэ лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэн щагъэтащ «моджахед» ерухэу Сулейманов Ибрэхьимрэ Оздиев Iэбубэкыррэ. Ахэр, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, абыхэм я хьэдэхэм къащIэнахэр къыщагъуэтыжащ Ведено куейм щыIэ Харачой къуажэм и гъунэгъуу. Ди Тхьэшхуэм а лIыукIхэр дунейм иригъэхыжащ хабзэхъумэхэм щапэщIэувам щыгъуэ. Ягъусахэм абыхэм я хьэдэхэр мэзым щIатIащ зыри тхьэ хуемылъэIуу, я кхъащхьэхэми сын трамыгъэувэу. Мыр Дагъыстэным къыщыхъуащ. 2012 гъэм шыщхьэIум и 22-м Цунтин куейм щыIэ Мокок къуажэм и гъунэгъуу къапщытэн мурадкIэ, хабзэхъумэхэм къыщагъэувыIащ «КамАЗ» автомашинэр. Абы исам автоматкIэ къахэуэн щIидзащ. Зэхэуэм хэкIуэдауэ къыщIэкIащ Хутрах къуажэм щыщ Курбанов Ахьмэд. Абы и къуажэгъу Исрапилов Дауд зигъэпщкIуну хущIэкъуащ, арщхьэкIэ хузэфIэкIакъым. Бзаджэнаджэм и хьэдэр къуажэм и Iэшэлъашэхэм къыщагъуэтыжащ, бгым ехуэхыу иукIауэ. Зи гугъу фхуэтщIа щапхъэхэм хуэдэ гъунэжщ, арщхьэкIэ мыхэри ирикъунущ цIыху лажьэншэхэм Iэщэ тезышэщIахэм я Iуэхухэр зыхуэкIуэр хьэкъ пщыхъун папщIэ. Ар къагурыIуэн хуейщ дин пэжым къытекIыу гъуэгу мыгъуэм техьахэм. Алыхьым абыхэм яхуигъэгъуркъым! Халидов Висхан. Грозный къалэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26668.txt" }
Журналистхэмрэ еджэныр фIыуэ зылъагъухэмрэ IутIыж Борис и цIэр зэрихьэу Зэрэгъыж къуажэм дэт курыт еджапIэм журналист ныбжьыщIэхэмрэ тхылъыр фIыуэ зылъагъу щIалэгъуалэмрэ я зэIущIэ щекIуэкIащ. Махуэшхуэм зрагъэхьэлIат «Солнышко» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ НакIэ Еленэ, КъБР-м и Парламентым и депутат, «Минги Тау» журналым и редактор нэхъыщхьэ Додуев Аскэр, Журналистхэм я союзым и тхьэмадэм и къуэдзэ Шаваевэ Разият, Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я республикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье. ЗэIущIэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар Iуэху дахэт: школым и 2-нэ классым щеджэхэм «Солнышко» журналым иригъэкIуэкIа «Дызэкъуэту дывгъэпсэу» зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр къахьащ. ЗэфIэкI зыбгъэдэлъ сабийхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ зригъэцIыхуну къэпщытакIуэ гупым мурад ищIри, Зэрэгъыж еблэгъат. ХьэщIэхэм къаIущIащ лъэпкъ фащэхэр екIуу зыщыгъ ныбжьыщIэхэр. Абыхэм адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ фIэхъус кърахащ. КъыкIэлъыкIуэу егъэджакIуэхэм ягъэлъэгъуащ IыхьитIу зэхэту литературэ-макъамэ лэжьыгъэр: япэр тхылъым цIыхум и гъащIэм щиIэ мыхьэнэм теухуат, етIуанэр — зэныбжьэгъугъэм. АпхуэдизкIэ гъэхуауэ псалъэрт, усэхэм къеджэрт, дахэу уэрэд жаIэрти, етIуанэ классым фIэкIа ахэр нэмысауэ уи фIэщ щыпхуэмыщI къэхъурт. Арагъэнщ Шинкарёвэ Наталье къыщыпсалъэм ахэр я лэжьэгъуу щIыжиIар. ЕкIуу гъэщIэрэщIат зэIущIэр щекIуэкI пэшри. Пхъэбгъум дыгъэ сурэту къытещырт «Солнышко»-м и къыдэкIыгъуэ сабийхэм фIыуэ ялъэгъуахэр. НыбжьыщIэхэм и гугъу ящIащ журналым щIыдихьэхым икIи абы ехъулIэныгъэ иIэну ехъуэхъуащ. Класс унафэщI Темыркъан Маринэ ныбжькIэ щIалэми, и IэщIагъэм фыуэ хещIыкI, сабийхэр еджэн яфIэфIу, абыкIэ зэхьэзэхуэу, тхылъыр зыпащI щымыIэу къегъэтэдж. Абы и щыхьэтщ и классыр зэхьэзэхуэм пашэ зэрыщыхъуар. А хъыбарым щыгуфIыкIащ егъэджакIуэхэм я Iуэхухэр зэпымыууэ ядэзыIыгъхэу, еджакIуэхэм я ехъулIэныгъэм ирипагэхэу школым и унафэщI АфIэунэ Аринэрэ абы и къуэдзэ Тембот Равидэрэ. ЗэIущIэм и кIэухым Додуев Аскэр школ унафэщIым иритащ КIуэкIуэ Валерэ къызэралъхурэ илъэс 70 зэрырикъум и щIыхькIэ къыдагъэкIа медалыр, НакIэ Еленэ хуагъэфэщащ Лермонтовым и цIэр зезыхьэ Урысей комитетым и медалыр. Шинкарёвэ Наталье хэгъэрейхэр игъэгушхуащ щIыхь тхылъхэмкIэ, «Урысейм и лъэпкъхэр» къыдэкIыгъуэмкIэ, «Урыс классикэм и библиотекэ» серием хыхьэ тхылъхэмкIэ. Шаваевэ Разият Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и ЩIыхь тхылъ яритащ, сабийхэр IэфIыкIэхэмкIэ игъэгуфIащ. КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм печатымкIэ, тхылъ къыдэгъэкIынымрэ полиграфиемкIэ и къудамэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26670.txt" }
Сытыт атIэ я фIэщу къыщалъыхъуэр? Хьэрэкхъуэрэ къыщагъуэта гъуэмбэрэщхэм ятеухуауэ иджыри зэ Махуэ зыбжанэкIэ газетхэри телевиденэри (ищхьэкIэ щыIэхэри яхэту) тепсэлъыхьащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ Бахъсэн куейм щыщ Зеикъуэ къуажэм и ипщэ лъэныкъуэкIэ щыIэ Хьэрэкхъуэрэ Iуащхьэжьым и деж къыщагъуэта гъуэмбэрэщхэм, ахэр джабэ нэкIум пхаудауэ зэрыщытам икIи цIыхухэр абы зэрыщыпсэуам теухуа хъыбархэм. 1942 гъэм Гитлер а щIыпIэм игъэкIуауэ щытащ IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэхэр, зауэлIхэр зэрыс автомашинэ гуп. Зи цIэ къисIуа а зэщхьэгъусэхэм апхуэдэ дыдэ гъуэмбэрэщхэр Тызыл аузми зэрыщыIэр иджы дыдэ хэIущIыIу ящIа иужь сигу къэкIыжащ абыхэм ягъэувауэ щыта упщIэр: «Сытыт Гитлер а щIыпIэм къыщилъыхъуэр?» Абы жэуап езытыну зи пщэ къыдэхуэр, дауи, IэщIагъэлIхэрщ, ауэ сэри сыхуейт мы Iуэхум егъэщIылIауэ зыгуэрхэр къыжысIэну. Псом япэу умыгъэщIэгъуэн плъэкIынукъым Хэку зауэшхуэм и зэманым зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэм Заполярьери зэрахэхуар. Сыт щхьэкIэ? Ар ящыщакъым стратегие мыхьэнэ зиIэ щIыналъэхэм, цIыхуи щыпсэуакъым, къали щыIакъым. ИтIани лъэныкъуэхэр гуащIэу щызэпэщIэуващ. Нэхъ зэпаубыдар Кольскэ хытIыгу ныкъуэм и зэхуэдитIырщ. Нэмыцэхэм а щIыпIэм ягъэкIуащ бгы дивизэ хэха (жытIэнщи, абы щыщахэрщ иужькIэ фашист бэракъыр Iуащхьэмахуэ и щыгум щыфIэзыдзар). Ауэ ар щIыналъэ ткIийм щIагъуэу щызэуэфакъым. И дзэхэм къахь текIуэныгъэхэм еса Гитлер абы щыгъуэм япэу егупсысауэ къыщIэкIынущ зэхиубла зауэм и Iуэху къыщимыкIынкIэ зэрыхъунум. Дыдейхэми загъэхьэзырыртэкъым хытIыгу ныкъуэр ятыну. Зэ еплъыгъуэкIэ Гитлер щхьэусыгъуэ иIэт хуабжьу ныкъуэкъуэну. ЩэщI гъэхэм хэIущIыIу хъуат зэман жыжьэ и пэкIэ Заполярьер зэщIэгъэгъа щIыналъэу зэрыщытар: псынэхэр уэру къыщыщIэжу, жыг дахэхэр куэду иту. Щыпсэухэри гъащIэм сыт и лъэныкъуэкIи ехъулIэрт, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлът. Аращ зытекIуэдэжари: къаруушхуэ дыдэ иIэу къагупсыса Iэщэм щIыналъэр ирихауэ хуагъэфащэ. ЩымыIэж цивилизацэм нэмыцэхэр къатехъукIауэ ягъэIуат нацистхэм. Арат арий расэр псоми ефIэкIыу, дуней псор къателэжьэн хуейуэ щIагъэувари. Нэмыцэхэр зи гугъу тщIы цивилизацэм къызэрытепщIыкIам, арий расэ зэрыщыIам щыхьэт техъуэ гуэри игъащIэкIэ зэрумыгъуэтынур фашистхэм къафIэIуэхутэкъым, ахэр абы хуейххэтэкъым: жаIэ къудейкIэ Iуэхур зэфIагъэкIырт. Геббельс и пропагандэм а шыпсэр Германием и цIыхухэм фIэщ ящищIат. АрщхьэкIэ нэмыцэхэм я «адэжь лъапсэр» зыIэригъэхьэжын мурадыртэкъым Гитлер зыщIэзэур. Абы къилъытэрт къаруушхуэ дыдэ зыбгъэдэлъ Iэщэм и лъэужь гуэрхэр къэнауэ. Ахэр къыщилъыхъуэр ищхъэрэ лъэныкъуэм и закъуэтэкъым. И гуращэхэр ирихьэлIэрт Гималайхэми, Кавказми, нэгъуэщI щIыналъэ зыбжанэми. И фIэщ хъурт абыхэм зи гугъу тщIы цивилизацэ хэкIуэдам и цIыхухэр зы зэман щыпсэуауэ икIи абыхэм къащIэнахэм а Iэщэм и щэхур яхъумэу. ХузэфIэкI къигъанэртэкъым а делагъэр пхигъэкIын папщIэ. Гималайхэм щыпсэу шерпхэр зыдигъэIэпыкъун мурадкIэ Непалым и пащтыхьым автомобиль зыкъизых иритат. Пэжщ, Хьэрэкхъуэрэ и бгъуэнщIагъхэр къатIэщIыным хунэмысу фашистхэр ди лъахэм ирахужащ. Сытыт-тIэ Гитлер абы езыхулIар? Иджы къалъытэ зэхиубла зауэм зэрыщытемыкIуэнур фюрерым 1942 гъэм и бжьыхьэм къыгурыIуауэ. Абы къыхэкIыу Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къигъэсэбэпын хуейт: зауэр нэхъ кIыхь ищIын, къаруушхуэ зиIэ Iэщэ зыIэригъэхьэн, н.къ. Япэрейр къехъулIащ, арщхьэкIэ атом бомбэ иригъэщIыфакъым. Франджым и Iуфэм Iуту Инджылызым и щIыналъэм зэреуэ ФАУ-1, ФАУ-2 топ абрагъуэхэми къыхуащIэшхуэ щыIэтэкъым. КIэщIу жыпIэмэ, и кIуэдыжыгъуэр къэблагъэрт. Къыхуэнэжыр шыпсэхэм щыгугъынырт, тхьэгурымагъуэхэр игъэплъэнырт. Хэбгъэзыхьмэ, болгар фызыжь Вангэ иригъэукI пэтащ, зауэр зэриухыну щIыкIэр къыжриIа иужь. Зи гугъу тщIы гъуэмбэрэщхэм щэху куэд зэрахъумэм шэч хэлъкъым, абыхэм цIыхухэр зэрыщыпсэуам хуэдэу. Сытыт ахэр бгъуэнщIагъхэм щIэзыхуар? Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, абыхэм щхьэхуэ защIмэ нэхъ къащтэрт, езыхэр мыдрейхэм нэхърэ нэхъ Iущу зыкъалъытэжырти. Езы нэмыцэхэм я гугъу пщIымэ, Нэгумэ Шорэ итхыгъащ ахэр ди лъахэм зэгуэр щыпсэуауэ. Готхэр цIыху лъагэхэт, Iэпкълъэпкъ зэкIужхэт, абы къыхэкIыу адыгэхэр «уардэкIэ» еджэрт. Ауэ абыхэм зыкIи зыкъалъытэжыртэкъым езыхэр адрей лъэпкъхэм зыгуэркIэ ефIэкIыуи нэхъ губзыгъэуи. Псоми фIыуэ яхущытт. Iэпхъуэжа иужь, къатехъукIахэр Гитлер къызэригъэпцIари зыкIи ягъэтэкъым. Гъуэмбэрэщхэм я деж дгъэзэжынщи, ахэр археологием и фэеплъу зэрыщытыр икIи ахэр сакъыу хъумэн зэрыхуейр белджылыщ. Тхыдэм зэрихабзэщи, зэгуэр щэхухэр нахуэ мэхъуж. ШАЛ Мухьэмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26673.txt" }
ДэрэжэгъуэкIэ гъэнщIа дакъикъэхэр ЦIыхубзхэм и Налшык советым, къалащхьэм и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм зи ныбжь хэкIуэтахэм йогуапэ, абыхэм я гукъыдэжыр къэзыIэт, дэрэжэгъуэ къезыт Iуэхугъуэ гуапэхэр ирагъэкIуэкI. Ахэр махуэшхуэм щыхуэмыунэтIаи къохъу. Иджыблагъэ Джатэжь Розэ зи унафэщI «Къэббалъкътхылъ» социальнэ-щэнхабзэ центрым щызэхэта зэхыхьэр абыхэм языхэзщ. Дыджэш Лидэрэ абы и къуэдзэ Къардэн Эммэрэ къызэрагъэпэща зэхуэсыр къекIуэлIа цIыхубзхэм хуабагъэрэ дахагъэрэ яхэзылъхьэ махуэшхуэ хъуащ. Удз гъэгъа Iэрамэр IэщIилъхьэу дэтхэнэ зы хьэщIэри гуапэу иригъэблэгъащ Налшык къалэ советым и депутат «Къууанч» кафем и унафэщI Моллаев Алим. — Гъатхэпэр — ар щIыуэпсыр къыщыуш гъатхэм и япэ мазэщ, ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэр зыхиубыдэщ. ФIыгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ абы къыфхудэкIуэмэ, ди гуапэщи, фыузыншэу куэдрэ Тхьэм фигъэпсэу, — захуигъэзащ Дыджэш Лидэ Iэнэ берычэтым ирагъэтIысэкIа нэхъыжьхэм. — Фэ фынанэщ, фыанэщ, жьэгум и плъыр, ди лъахэм ипхъу нэсхэщ икIи ди дежкIэ насыпышхуэщ IэфIыгъэ гуэр фи деж нэхьэсыныр, фи гукъыдэжыр къэтIэтыныр. Фи гур, фи псэр зэIухауэ зывгъэпсэхумэ, фи нэгу зевгъэужьмэ, ди гуапэщ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Iэминат. Абы сыт щыгъуи гулъытэ хуещI ЦIыхубзхэм и Налшык советымрэ къалащхьэм и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэмрэ къыхалъхьэ жэрдэмхэр ядэIыгъыным, Iуэхугъуэхэр ирагъэкIуэкIынымкIэ защIэгъэкъуэным. «Анэм и дежкIэ нэхъыщхьэр, насыпыр и сабийхэм я узыншагъэмрэ я зэIузэпэщыгъэмрэщ. ИпэжыпIэкIэ цIыхубзыр гъащIэр зэтезыухуэщ, абы и тегъэщIапIэщ, щIэгъэкъуэнщ»,- къыхигъэщащ Уянаевэм. Налшык къалэ округым — Налшык къалэ, Кэнжэ, Хьэсэней, Вольнэ Аул, Белэ Речкэ — и цIыхубзхэм я зэхыхьэр нэхугъэрэ гуапагъэкIэ гъэнщIауэ, щIэщыгъуэу, гъэщIэгъуэну зэрекIуэкIар я фIыщIэщ спонсорхэми. Абыхэм ящыщщ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ КIуэкIуэ Къазбэч, «Горзеленхоз» IуэхущIапIэм и унафэщI Гелястанов Ахъмэт, абы и къуэдзэ, ЦIыхубзхэм я советым жыджэру хэт Къэзанш Маринэ сымэ. ГушыIэ, макъамэ, гукъэкIыж, къафэ… А псомкIи гъэнщIащ ЦIыхубзхэм я советымрэ Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэмрэ къызэрагъэпэщ дэтхэнэ зэхыхьэри. Сыт щыгъуи зэман хухех, ар егъэдахэ, къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къеIэт КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Даур Иринэ. Абы адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ, украиныбзэкIэ игъэзэщIащ цIыхубзхэм фIыуэ ялъагъу уэрэдхэр, романсхэр. Я гугъуехьхэр, зыгъэпIейтейхэр ящхьэщыкIуэтри, нэхъыжьхэр уэрэдхэм дежьууэ хуежьащ, утыкум къихьэурэ къэфащ. Абыхэм я гукъыдэжыр къызэгъэпэщакIуэхэм даIыгъащ. Пщы гуащэщ, дахэм я лейщ, зихуэдэ щымыIэщ, жыжьаплъэщ, фIыуэ ялъагъущ, жэрыжэм тету шыр къэзыгъэувыIэщ… Дэтхэнэ цIыхубзми хуэгъэза псалъэхэр къызытещ, дахэу гъэщIэрэщIа билет цIыкIухэу лотерее джэгум къыщыхаххэм нэхъри игъэгушхуат пшыхьым кърихьэлIахэр. ЗэрыжаIэщи, цIыхубзыгур дуней псор къызэщIэзыубыдэщ. Бзылъхугъэр насыпыфIэу щытын папщIэ жылагъуэм къыбгъэдэкI гулъытэ мащIэми мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ар къагуроIуэ къызэгъэпэщакIуэхэм икIи фIы, псапэ, гуапагъэ зыпылъ Iуэхугъуэхэр ирагъэкIуэкIын папщIэ я зэмани къаруи еблэжыркъым. Дыджэш Лидэ укIэлъыплъмэ, къызыхуигъэщIар аращ жыуегъэIэ, апхуэдэщ еш зимыIэ, цIыхум бгъэдалъхьэ дэрэжэгъуэм нэхъри игъэгушхуэ, жэрдэмыщIэхэм хуэпабгъэ Къардэн Эммэрэ Джатэжь Розэрэ. ГуапагъэкIэ я гумрэ я псэмрэ гъэнщIауэ, иджыри зытIэжьамэ хъуну пIэрэт жаIэу, къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкI тыгъэхэмрэ гъатхэмэ гуакIуэхэмкIэ гъэнщIа удз гъэгъахэмрэ я гукъыдэжыр къиIэтауэ зэбгрыкIыжащ зи нэгу зезыгъэужьа, зызыгъэпсэхуа цIыхубз нэхъыжьыфIхэр. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26675.txt" }
ЩыIэщ Беслъэн «МелыIычхэм я къалэ» Терроризмэмрэ экстремизмэмрэ пэщIэтынымкIэ комплекснэ планыр гъэзэщIэным ипкъ иткIэ, гъэ къэси хуэдэу, ди гъунэгъу Осетие Ищхъэрэ-Аланием хыхьэ Беслъэн къалэ Бахъсэн районым щыщ еджакIуэрэ абыхэм я адэ-анэу цIыхуи 100-м нэблагъэ ягъэкIуащ. Абы хэтхэр къызыхуэт щымыIэу къызэгъэпэща хъуащ Бахъсэн куей администрацэм и унафэщI Сыжажэ Хьэсэн и фIыгъэкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа гупыр «МелыIычхэм я къалэ» кхъэмрэ террористхэм яIэщIэкIуэда сабийхэр зыщIаубыдауэ щыта спортзалымрэ щыIащ. — Дэ дыхуейщ гущIэгъурэ гулъытэрэ яIэу ди щIэблэр къэтэджыну, — жеIэ Бахъсэн щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Тохъутэмыщ Мухьэмэд. — Осетин лъэпкъым и щхьэ кърикIуауэ щыта гузэвэгъуэр дяпэкIи зыщыдмыгъэгъупщэну дэтхэнэ зыми ди къалэнщ. Абы къыдэкIуэуи, пасэу дунейм ехыжа цIыкIухэм я фэеплъ нэхур ди щIалэгъуалэми ягу игъэлъыпхъэу дэ къыдолъытэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм Бахъсэн район администрацэм, куейм ит курыт еджапIэхэм, адэ-анэхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ къабгъэдэкIыу «Щыгъуэ жыгым» удз гъэгъахэр тралъхьащ. Ди гъунэгъу щIыналъэм щыIахэм зэрыжаIэжымкIэ, пасэу дунейм ехыжа цIыкIухэм я кхъащхьэхэм уи нэкIэ уаIуплъа, ахэр псэу щIыкIэ зыщIаубыдауэ щыта спортзалым ущыIа нэужь, нэгъэсауэ къыбгуроIуэ икIи зыхыбощIэ а махуэхэм къэхъуа гуауэр зыхуэдэр. ЩIэпхъаджащIэхэм яубыдахэм псы зэрыхуагъэлIам и нагъыщэу, нобэр къыздэсым, спортзалым и дэтхэнэ къуэгъэнапIэ дежи ахэр зыщIалъхьа кхъащхьэ къэси псы зэрыт бащырыбэ цIыкIухэр щытщ. Сабийр зэрыджэгу хьэпшып щабэхэмрэ мелыIычхэм къытращIыкIа гуащэ цIыкIухэмрэ куэдыщэу зытелъ кхъащхьэхэм щаблэкIым, ди республикэм икIа школакIуэхэм къафIекIуа я нэпсхэр яхуэгъэпщкIуакъым. — Гъуэгу дыщытехьэм дэ мурад тщIащ гуауэр къыщыхъуа щIыпIэр ди сабийхэм я нэкIэ едгъэлъагъуну, мелыIыч хъуахэу уафэм лъэтэжын папщIэ, зи псэр зыта цIыкIухэм я цIэ-унэцIэхэр къедгъэщIэну, — жеIэ Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ. Мы Iуэхугъуэр къызэзыгъэпэщахэм я мурадщ районым и курыт еджапIэхэм Беслъэн къыщыхъуауэ щыта тхьэмыщкIагъэм теухуа зэIущIэхэр, тхыгъэ зэпеуэхэр, конференцхэр щрагъэкIуэкIыну. Алокъуэ Аринэ. Бахъсэн — Беслъэн — Бахъсэн
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26681.txt" }
Лэжьыгъэр хъумэным и дунейпсо махуэм теухуа мазэ лэжьыгъэ къызэрыхалъхьам къыхэкIыу, Лэжьыгъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэм я зэдай республикэ комиссэм IэнатIэ унафэщIхэм, лэжьакIуэ гупхэм, къэрал властым и гъэзэщIакIуэ къудамэхэм, муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и профсоюз организацэхэм Зэрызахуигъазэ Фэбжьхэмрэ узыфэ гъэтIылъахэмрэ егъэлеяуэ зэрыкуэдым дунейпсо жылагъуэр зэригъэпIейтейм, лэжьыгъэр хъумэным пыщIа Iуэхухэм иджыри хуэфащэ гулъытэ зэримыгъуэтым къыхэкIыу, ЛэжьыгъэмкIэ къэрал зэхуаку зэгухьэныгъэм мэлыжьыхьым и 28-р Лэжьыгъэр хъумэным и дунейпсо махуэу игъэуващ икIи 2003 гъэ лъандэрэ илъэс къэс ягъэлъапIэ. Лэжьыгъэм и пщIэм хэзыгъахъуэ концепцэр пхыгъэкIыныр мы зэманым абы и къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ. И мыхьэнэр къилъытэу ЛэжьыгъэмкIэ къэрал зэхуаку организацэм къыхилъхьа «Узыфэ гъэтIылъахэр профилактикэ щIын» и къыхуеджэныгъэр, Урысей Федерацэри яхэту, дунейм и къэрал куэдым щыдаIыгъ. Къэбэрдей-Балъкъэрми ар къищтэн хуейщ, сыту жыпIэмэ, республикэм и экономикэм зиужьыныр IэнатIэ Iутхэм я гъащIэмрэ я узыншагъэмрэ фIэкIыпIэншэу хъумэным пыщIауэ къызэгъэпэщыпхъэщи. А махуэм къэралищэм щIигъум щрагъэкIуэкIынущ лэжьапIэм къыщыхъу щIэщхъухэр, узыфэ гъэтIылъахэр къызыхэкI щхьэусыгъуэхэр жылагъуэхэм я деж хэIущIыIу зэрыщащIыну Iуэхугъуэхэр. IэнатIэ унафэщIхэм, лэжьакIуэ гупхэм, къэрал властым и гъэзэщIакIуэ къудамэхэм, муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я администрацэхэм я Iэтащхьэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и профсоюз организацэхэм захудогъазэ цIыхухэр фэбжьхэмрэ узыфэхэмрэ ящыхъумэным я къарур хузэщIагъэуIуэну, а махуэм теухуа зэIущIэхэр, семинархэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, еплъыныгъэ-зэпеуэхэр зэхашэну, хъыбарегъащIэ Iэмалхэр къагъэсэбэпыну, районым Лэжьыгъэр хъумэнымкIэ и махуэ, къалэм Лэжьыгъэр хъумэнымкIэ и махуэ, IуэхущIапIэм Лэжьыгъэр хъумэнымкIэ и махуэ ирагъэкIуэкIыну, апхуэдэу IэнатIэхэм я шынагъуэншагъэр зыхуэдэр къэпщытэным, лекцэхэм къахуеджэным, лэжьыгъэр хъумэнымкIэ законодательствэм къигъэувхэм хэгъэгъуэзэным, нэгъуэщIхэми теухуа Iуэхугъуэхэри къызэщIиубыдэу, дэтхэнэ организацэми Лэжьыгъэр хъумэным и махуэ къыщызэрагъэпэщыну. УнафэщI псори къыхудоджэ лэжьыгъэр хъумэнымкIэ IэщIагъэлI нэхъыфIхэр, лэжьыгъэр хъумэнымкIэ комиссэхэм хэтхэр, IэнатIэхэм щысакъхэр, фэбжьыншэу щылажьэхэр щIыхь тхылъкIэ, фIыщIэ тхыгъэкIэ, ахъшэ саугъэткIэ, фэеплъ тыгъэ лъапIэкIэ ягъэпэжэну. IэнатIэ пэрытхэм я шынагъуэншагъэмрэ я узыншагъэмрэ хъумэныр къызэгъэпэщыныр Урысей Федерацэм и КонституцэмкIэ къэралым щащIа пщэрылъ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ. КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26685.txt" }
ХъумапIэ банкыр къыхах «Global Finance» журналым ХъумапIэ банкыр Урысейм щыпашэу къилъытащ. Дуней псом финансхэмкIэ я гуп хэхахэм я унафэщIхэм, банкирхэм, аналитикхэм ечэнджэща нэужь, журналым и редакторхэм нэхъыфIу къалъытэхэм я спискэр ягъэхьэзыращ. Я мылъкум зэрыхэхъуэм, я фейдэр зыхуэдэм, зэхущытыкIэхэр зэраухуэм, цIыхухэм зэрадэлажьэм, Iуэхутхьэбзэхэм хуэзэмкIэ яIэ ефIэкIыныгъэм, IэнатIэм щIэуэ халъхьэм тещIыхьауэ текIуахэр ягъэбелджылащ. Апхуэдэу акцэхэм я рынокымкIэ, кредит-рейтингымкIэ аналитикхэм, банк чэнджэщэгъухэм, нэгъуэщI IэщIагъэлI Iэзэхэм я Iуэху еплъыкIэхэри къалъытащ. — «Global Finance» журналым Урысейм и банк нэхъыфIым и дамыгъэр къызэрытхуигъэфэщар ди дежкIэ пщIэшхуэщ. Ар и щыхьэтщ рынокым лъэ быдэкIэ дызэрыхэтым, апхуэдэу 2012 гъэм ехъулIэныгъэ нэрылъагъухэр дызэриIам. Рынокым щыщыIэ гугъуехь инхэм щхьэкIэ къэмынэу, Урысейми нэгъуэщI къэралхэми ди бизнесым жыджэру зыщыдогъэужь, — къыхигъэщащ ХъумапIэ банкым и правленэм и унафэщI Греф Герман.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26686.txt" }
Фыдогъэблагъэ! Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизион ТIощIрэ ебланэ джэгугъуэ «Спартак-Налшык» — «Волгарь» (Астрахань) Налшык. «Спартак» стадион. Мэлыжьыхьым и 9. Сыхьэт 18-м.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26689.txt" }
Нобэ Финляндием и лъэпкъыбзэм и махуэщ 1667 гъэм дунейм щыяпэу гъуазджэм и произведенэхэм я дунейпсо выставкэ Париж къыщызэIуахащ. Мэлыжьыхьым и 9 — 11-хэм Женевэ (Швейцарие) щызэхэтынущ Европэ экономикэ комиссэм и 65-нэ зэхуэсышхуэр. Франджы актер цIэрыIуэ Бельмондо Жан-Поль и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу. Къэрал лэжьакIуэшхуэ, политик цIэрыIуэ Черномырдин Виктор 1938 гъэм къалъхуащ. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Азэмэт Лалушэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу. 1947 гъэм къалъхуащ литературэдж, критик, къэрал лэжьакIуэ Тхьэгъэзит Юрий. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 — 17, жэщым градуси 10 — 12 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26691.txt" }
ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий и псалъэ Адыгей. Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и Дзэ комиссариатыр илъэс 95-рэ щрикъу махуэм республикэм и Iэтащхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий IущIащ Адыгейм и дзэ комиссар Аверин Александр. Республикэм и Iэтащхьэм гулъытэ хуищIу къыхигъэщащ дзэ къулыкъур ирахьэкIыну Адыгейм щIалэгъуалэ 500-м щIигъу армэм зэрыдигъэкIар. IэнатIэм и унафэщIым фIыщIэ хуищIащ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм къахуигъэува къалэнхэм хиубыдэу зэфIаха лэжьыгъэм папщIэ. «ИпэжыпIэкIэ Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм къулыкъур щрахьэкIынущ Адыгейм и щIалэгъуалэм ящыщ куэдым. Абы къегъэлъагъуэ дзэм къалэныр ехъулIэныгъэ яIэу щезыхьэкIыфыну щIалэ къарууфIэхэр, узыншэхэр Адыгейм дызэриIэр», — жиIащ ТхьэкIушынэм. Комиссариатым и унафэщIым республикэм и гъэзэщIакIуэ властхэм я органхэр зэIухауэ къазэрыдэлажьэм папщIэ Адыгейм и Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ. Аверин Александр Дзэ комиссариатыр къызэрызэрагъэпэщрэ мэлыжьыхьым и 8-м илъэс 95-рэ зэрырикъур къыхигъэщри, абы теухуа фэеплъ медалыр ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий иритащ. ФондыщIэ къызэIуах Къэрэшей-Шэрджэс. Мылъку къызыхалъхьэ проектхэр пхагъэкIын мурадкIэ, республикэм лэжьэн щыщIидзащ щIыналъэ Инвестицэ центрым. Центрыр къыщIызэрагъэпэщам и щхьэусыгъуэхэм ящыщщ инвестицэ лэжьыгъэр егъэфIэкIуэныр, Къэрэшей-Шэрджэсым и щIыналъэм мылъку нэхъыбэ къешэлIэныр. Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министр Лъэбышэ Елдар зэрыжиIамкIэ, КъШР-м и Инвестицэ фондым и Iуэхугъуэхэр зэтриублэным республикэ бюджетым дызэрыт илъэ-сым сом мелуани 10 хухихащ. 2013 гъэм фондым и мылъкумкIэ пхагъэкIыну проектхэм ящыщщ зы илъэсым сом мелуани 193-рэ и уасэ гипс тонни 150-рэ къыщIэзыгъэкIыфыну завод ухуэныр. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26693.txt" }
Аргентинэр ди республикэм зэрызиужьым къыкIэлъоплъ Ди республикэр зрагъэлъэгъуну, зрагъэцIыхуну иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Аргентинэ Республикэм и лIыкIуэ IуэхущIапIэу Урысей Федерацэм щыIэм экономикэмрэ щэнхабзэмрэ я IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъу Патригани Рафаэль Альбертэрэ Аргентинэм и лIыкIуэ IуэхущIапIэу Урысейм щыIэм и официальнэ лэжьэгъу Лететская Маринэрэ. ХьэщIэхэм яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. Ар КъБР-м и экономикэм, абы и щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм ятепсэлъыхьащ. «Ди республикэм лъэпкъ куэд зэрыщыпсэурщ ар лъэщ зыщIыр. КъБР-м лъэпкъи 100-м щIигъум къахэкIахэр исщ. Фэри зэрыфлъэгъуащи, ди щIыпIэм и дахагъэр зыхуэбгъэдэн къэгъуэтыгъуейщ. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу ди щIыналъэм нэхърэ нэхъ дахэ къэралым ипщэ лъэныкъуэмкIэ зэрыщумыгъуэтынур, сыту жыпIэмэ абы хеубыдэ Европэм щынэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ, апхуэдэу километри 5-м щIигъу я лъагагъыу Кавказым щыIэ щыгуи 6-м ящыщу 5-р. Ауэ къуршхэр, мэзхэр, губгъуэхэр, мылылъэ лъагапIэхэр дызэриIэм и мызакъуэу, ди щIыналъэм хъугъуэфIыгъуэхэри къыщыщIах», — жиIащ Къанокъуэ Арсен. Бысымымрэ хьэщIэхэмрэ зэхуаIуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Аргентинэмрэ я экономикэхэм зегъэужьыным зэреплъыр. Патригани Рафаэль Альбертэ къыхигъэщхьэхукIащ Налшык щилъэгъуа псори икъукIэ телъыджэ къызэрыщыхъуар: «ДэнэкIэ зыбгъазэми дахэщ, зэщIэкъуащ. Си дежкIэ пщIэшхуэщ нобэ фи деж сызэрыщыIэр. Дэ дыхущIокъу Аргентинэмрэ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм зэрызедгъэужьыным». Аргентинэм и лIыкIуэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм КъБР-м и Iэтащхьэм къыхуигъэлъэгъуащ мэкъумэш IэнатIэм лъэныкъуитIыр щызэдэлэжьэнымкIэ щыIэу къилъытэ хэкIыпIэхэр. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, ди республикэми хуэдэу, Аргентинэм и дежкIи мэкъумэш IэнатIэр зэрыщыту къэралым и экономикэм и лъабжьэщ. ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ КъБР-м и студентхэр Аргентинэм и вузхэм щегъэджэным, туризмэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным япыщIа Iуэхухэри.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26694.txt" }
Ещанэ увыпIэр къахьащ Спортым щIыхь зиIэ и мастер, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Бубукин Валентин и фэеплъу Сочэ къалэм футболым зыщыхуагъасэ и «Дыгъэмыс» комплексым къыщызэрагъэпэща V дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэр иухащ. ТекIуа командэхэм кубокхэр, медалхэмрэ саугъэт лъапIэхэмрэ яритащ совет Союзым и футболист цIэрыIуэ, 1960 гъэм Еропэм и чемпион хъуа Кесарев Владимир. Ахэр бжьыпэр зыубыда «Сборная юности Москвы» (Москва), «Ростов» (Дон Iус Ростов), «Динамо» (Сыхъум), «Мордовия» (Саранск), «Интер» (Сочэ), «Барс» (Владикавказ), «Металлург» (Липецк) гупхэрщ. Налшык и «Спартак»-м ещанэ увыпIэр иубыдащ. Топджэгу нэхъыфIу къалъытахэм ящыщщ Нэхущ Къантемыр. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26699.txt" }
Медаль 12 Курск щрагъэкIуэкIащ ныбжьыщIэхэм боксымкIэ Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я зэхьэзэхуэ. Командэхэм я зэпеуэм щытекIуащ КъБР-м икIахэр. ЦIыху 240-м щIигъу зыхэта зэхьэзэхуэм ди спортсменхэм зэфIэкI лъагэ къыщагъэлъэгъуащ. Абыхэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 12 зыIэрагъэхьащ. Зэпеуэм япэ, етIуанэ увыпIэхэр къыщызыхьа боксерхэм накъыгъэм и 17-м щегъэжьауэ и 25 пщIондэ Урысейм пашэныгъэ къыщыхьыным теухуауэ Воронеж щекIуэкIыну кIэух зэхьэзэхуэм кIуэну Iэмал ягъуэтащ. Щхьэзакъуэ зэпеуэм щытекIуащ Гуэщокъуэ Руслан (кг 48-рэ), Туменов Биберт (кг 57-рэ), Шэрджэс Ислъам (кг 66-рэ), Бозиев Хьэрун (кг 50). Дыжьын медалхэр къаIэрыхьащ Къурмэн Алихъан (кг 42-рэ), Къущхьэ Iэмин (кг 46-рэ), Рахаев Алий (кг 50), Асанов Iэсхьэд (кг 52-рэ), Туменов Казим (кг 54-рэ), Бозиев Исхьэкъ (кг 46-рэ), Мэзыхьэ Аслъэн (кг 70) сымэ. ЩIалэхэр я гъэсэнщ КIэрэфхэ Тимуррэ Залымрэ, Туменов Хъусен, Хаджиев Тимур, Мэшыкъуэ Валерэ. «Ди гъэсэнхэм я зэфIэкIым хэпщIыкIыу хэхъуащ, зэхьэзэхуэхэм нэхъ гушхуауэ, ягурэ я щхьэрэ зэтелъу хэтщ, щыбанэкIэ къагъэлъагъуэ техникэри хъарзынэщ. ЕхъулIэныгъэхэр щIызыIэрагъэхьэфри аращ», — жиIащ тренер-егъэджакIуэ КIэрэф Залым. Гъэунэ Светланэ, КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26701.txt" }
Щэнхабзэм зэкъуегъэувэ Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ IуэрыIуатэмрэ этно-графиемкIэ фестиваль. Сабийуэ 100-м нэс зыхэта зэхьэзэхуэр зытеухуар щIэблэр ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ нэхъ куууэ щыгъэгъуэзэнырщ, зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэнырщ. ШколакIуэхэр унэтIыныгъэу 9-кIэ зэпеуащ: «Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ республикэхэр зэрыгушхуэ щIыпIэхэр», «Лъэпкъ шхыныгъуэхэр», «Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэм фIыуэ хэзыщIыкIхэр», «IэпщIэлъапщIэхэр», «ЦIыхубэ медицинэ», «Литературэ творчествэ», «Нарт джэгукIэхэр», «ЯгъэлъапIэ махуэ щхьэхуэхэр»… Зэпеуэм псоми хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Абы хэта дэтхэнэ зыми дерс къыхихащ, я Iуэху еплъыкIэхэмкIи зэдэгуэшащ. Фестивалым и жюрим псом хуэмыдэу игу ирихьащ Сэрмакъ къуажэм щыщ, зи школ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIухэм ягъэлъэгъуа театр теплъэгъуэхэр. Езыхэм хуэдэхэм я деж абыхэм бжьыпэр щаубыдащ. ШЭРЭДЖ Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26703.txt" }
Утхьэусыхэжынуи ухуимыту Илъэс блэкIам «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Дзу Гъумар и документальнэ очеркхэр щызэхуэхьэса «Без права на обжалование» зыфIища тхылъыр. Ар теухуащ XX лIэщIыгъуэм и 1920 — 1930 гъэхэм, 1940 илъэсхэм щыщи хиубыдэу, политикэ залымыгъэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэрахьахэм. Апхуэдэщ ЧК-м, ГПУ-м, НКВД-м, КГБ-м и лэжьакIуэхэм «къэралым и бий» цIэ бзаджэр фIащурэ цIыхуищэхэр зэраукIар, Сыбыр жыжьэм зэрыщагъэкIуэдар, нэгъуэщI куэди. 1917 гъэм екIуэкIа Октябрь революцэм и макъ шынагъуэр Кавказ Ищхъэрэми щIэх дыдэу къэсащ, 1918 гъэм генерал Шкуро — Кисловодск, Бичераховым — Мэздэгу яубыд, Даутокъуэ-Серебряков «Къэбэрдей щхьэхуит» парт къызэрегъэпэщ. Абыхэм бэнэныгъэ гуащIэ драгъэкIуэкI Къалмыкъ БетIал, Къэрэщей Хьэжумар, Настуев Юсуп, Энеев Магомед, Ахъуэхъу ТIалиб, нэгъуэщI куэдми. А лъыгъажэ зауэм и курыкупсэм къыщыхута, мылъку, былым, щIы Iыхьэхэр зиIэж цIыхухэм Хэкур ябгынэрт а «гъащIэщIэмкIэ» мыарэзыуэ. ЦIыхухэр колхозхэм, совхозхэм залымыгъэкIэ зэрыхахуэм гузэвэгъуэшхуэ къишэрт, гъавэ тIэкIу яIэхэр къытрахырт, лажьэ лъэпкъ зимыIэ тхьэмыщкIэхэр ягъэтIысырт, яукIырт. Къуажэдэсхэм кIэнауэхэр пщIэншэу кърагъэтIырт, я мэжджытхэр якъутэрт. Дзум и тхылъым увыпIэшхуэ щеубыд иджыри къэс щэхуу щыта, тхыдэджхэм гулъытэ щIагъуэ зыхуамыщIа, 1928 гъэм Бахъсэн куейм щекIуэкIа лъыгъажэ зауэм. МэкъумэшыщIэхэм я зэщIэхъееныгъэ махуищкIэ екIуэкIар цIыхубэм дежкIэ телъыджэт. Абыхэм къагъэувырт «ди диныр зедвгъэхьэж, ди сабийхэр мыдрисэхэм щедвгъэгъаджэ, ди мылъку тIэкIур къыттевмых», нэгъуэщI куэди. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм я лъэIур зыми зэхихакъым, япэ щIыкIэ Къызбрун ЕтIуанэ къуажэм щыщ цIыху гуп тутнакъэщым ирадзащ. ИужькIэ яукIащ гуахъуэхэр, бжэгъухэр, шэмэджхэр яIыгъыу уэрамым дэтахэм (ахэр цIыхуи 118-рэ хъурт) ящыщ куэд, къэнахэр лъэхъуэщхэм ирадзащ. А псоми я цIэ-унэцIэхэм, адэцIэхэм, я илъэс бжыгъэм, щалъхуа къуажэм, кIэщIу жыпIэмэ, я гъащIэм теухуа тхыгъэ кIэщIхэм, гущIэр дэузу, Дзум и тхылъым щыгъуазэ зыщыхубощI. Апхуэдэу тхылъым итщ «Зы махуэм яукIа цIыху 32-р», «Къэбэрдей цIыкIум щыщу Совет властым и бийхэр — гъэрэщым», «Колхозым щылэжьэну хуэмейхэр фыукI» тхыгъэхэри, Шэрихьэт судым и къызэгъэпэщакIуэ, унэтIакIуэ, абы и бэракъыр лъагэу зыIэтауэ щыта Къатхъэн Назир теухуари. Абыхэм ущеджэкIэ, сурэтхэм ущеплъкIэ, лажьэ лъэпкъ зимыIэ, зи пщIэнтIэпс хьэлэлкIэ псэу цIыху тхьэмыщкIэхэм зэман гущIэгъуншэм ярищIар уи нэгу щыщIэкIкIэ, щхьэфэцым зеIэт, уи нэпсыр къокIуэ. Тхылъыр зытхам теухуауэ. Дзу Гъумар 1937 гъэм Къулъкъужын Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ, и адэ ТIэмашэ Хэку зауэшхуэм и япэ махуэхэм щыщIэдзауэ лIыгъэ зэрихьэу нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм езэуащ икIи 1942 гъэм Тулэ областым хыхьэ Башкинэ къуажэ цIыкIур хуит къыщащIыжым хэкIуэдащ. Гъумар Урал политехникэ институтыр щаухуэм жыджэру хэтащ, иужькIэ IэфIыкIэ къыщыщIагъэкIыу Налшык дэт фабрикэм, гидрометаллург заводым щылэжьащ, юридическэ институтыр заочнэу къиухри, Налшык къалэм, Шэджэм куейм я прокуратурэхэм следователу щылэжьащ, республикэм и Суд Нэхъыщхьэм къулыкъу щызэрихьащ, къэралым и дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ, абы и цIэр ихуащ «Советская прокуратура» щIэнгъуазэм. СОКЪУР Жамболэт.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26707.txt" }
IэщIагъэм зыщагъэгъуазэ Налшык дэт курыт школ №5-р (унафэщIыр Емуз Светланэщ) егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэ щекIуэкI IуэхущIапIэхэм хабжэ. ЩIэблэм щIэныгъэ куу зэрыщратым къыдэкIуэу, школыр жыджэру хэтщ IэнатIэм къыхыхьэ Iуэху зехьэкIэщIэхэм, жэрдэмхэм. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, абы жыджэру щекIуэкI «IэщIагъэм ухызошэ» проектыр. Абы ипкъ иткIэ, школым и еджакIуэ гуп ирагъэблэгъащ «Адыгэ псалъэ» республикэ газетым и редакцэм. ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Жыласэ Маритэрэ ныбжьыщIэхэр «Адыгэ псалъэ» газетым щагъэхьэщIэ. Журналист IэщIагъэм и щэхухэм зыщагъэгъуэзэн мурадкIэ, газетым къыхуеблэгъат 7-нэ «А»-м и еджакIуэхэмрэ абыхэм я класс унафэщI Жэмбей Оксанэрэ. ХьэщIэхэм гуапэу къаIущIащ «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэхэр. Журналистикэм пыщIа Iуэхухэм нэIуасэ зыхуащIащ ныбжьыщIэхэм. Редакцэм, абы и къудамэ зэмылIэужьыгъуэхэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм ныбжьыщIэхэм зэпкърыхауэ къахутепсэлъыхьащ «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, абы и къуэдзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Жыласэ Заурбэч, журналистхэу Хьэжы- къарэ Алик, Къардэн Маритэ, Къумахуэ Аслъэн, Чэрим Марьянэ, Истэпан Залинэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Жэуап зыхь секретарым и къуэдзэ ДыщэкI Соня школакIуэхэм яригъэлъэгъуащ газетым и макетыр зэращIыр. Илъэс 45-рэ хъуауэ редакцэм и корректор Афэ Тамарэ ахэр щыгъуазэ ищIащ и лэжьыгъэм и щэхухэм. НыбжьыщIэхэм хуабжьу яфIэхьэлэмэт хъуащ редакцэм и компьютер IэнатIэм щекIуэкI лэжьыгъэр. Ар зэрызэхэлъым абыхэм къахутепсэлъыхьащ оператор Iэзэ Дол Маринэ. Редакцэм и Интернет IэнатIэм Iуэхухэр щызезыгъакIуэ Бицу Жаннэ школакIуэхэм яжриIащ «Адыгэ псалъэм» езым и сайтрэ электрон пощтрэ зэриIэр икIи яригъэщIащ газетым къытехуа сыт хуэдэ тхыгъэри Интернетым къызэрыщыбгъуэтыну щIыкIэр. Печатым и унэм. Редакцэм и пэшхэр апхуэдэ щIыкIэм тету къызэхакIухьа нэужь, ныбжьыщIэхэмрэ абыхэм я унафэщIымрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд иригъэблэгъащ «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым. Мухьэмэд гупыр кIэщIу щыгъуазэ ищIащ газетым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм, нобэкIэ абы иIэ ехъулIэныгъэхэм, къыпэщылъ мурадхэм. — Сыт хуэдэ лъэхъэни хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр, псом хуэмыдэу газетхэр, ялъытэ гъащIэр лъэныкъуэ куэдкIэ къызэрыщ гъуджэу, цIыхухэм я гупсысэр, дуней еплъыкIэр зыубзыху Iэмалу, IуэхугъуэщIэхэм къыхуезыджэ, зи нэIэ щIэт, властым и Iуэху еплъыкIэхэр бэм яхуэзыхь Iэмэпсымэу. Адыгэм и дежкIэ апхуэдэт анэдэлъхубзэкIэ япэу къыдэкIа газетыр. Адыгэ лъэпкъым Нэгумэ Шорэ зэрыхуэхъуапсэу щыта «гъащIэм и нэхунэхэм» ящыщщ ди газетыр, — жиIащ ХьэфIыцIэм. — Илъэс 90-м нэсауэ лъэпкъпсо къалэн инхэр щызэфIах «Адыгэ псалъэм». ЦIыхубэр щIэныгъэм ешэлIэн, егъэджэн, дунейм, ди къэралым, щIыналъэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм, къэхъукъащIэхэм щыгъуазэ щIын, нэхъыщхьэращи, анэдэлъхубзэр, лъэпкъ хабзэр къэкIуэну щIэблэм яхуэхъумэн я лъэныкъуэкIэ, «Адыгэ псалъэм» и мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. Абы и дэтхэнэ къыдэкIыгъуэри ди республикэм и тхыдэм и напэкIуэцI лъапIэщ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэм. Редактор нэхъыщхьэм ныбжьыщIэхэм яжриIащ къыщыдэкIа лъэхъэнэрэ къыпэщылъ къалэнрэ елъытауэ газетым и цIэр мызэ-мытIэу яхъуэжауэ зэрыщытар: «Къэрэхьэлъкъ», «Ленин гъуэгу», «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр», «Къэбэрдей пэж». 1957 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-р зэфIэувэжа нэужь, «Ленин гъуэгу» цIэр игъуэтыжащ ди лъэпкъ газетым. «Адыгэ псалъэ» цIэр иIэу ар къыдэкI хъуащ 1991 гъэм мэлыжьыхьым и 1 лъандэрэ. ЕфIакIуэу, зиужь зэпыту екIуэкIащ газетыр, и лэжьыгъэфIым папщIи мызэ-мытIэу ягъэпэжащ. 1962 гъэм адыгэ газетым къыхуагъэфэщащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр, 1974 гъэм къратащ «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденыр. АдэкIэ ХьэфIыцIэм гупыр иригъэблэгъащ езыр зи тхьэмадэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и хэщIапIэм. Абы щекIуэкIа псалъэмакъыр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар а жылагъуэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэрщ. Ари ныбжьыщIэхэм хуабжьу яфIэхьэлэмэтащ. ЗэIущIэм и кIэухыу ХьэфIыцIэм школакIуэхэмрэ абыхэм я унафэщI егъэджакIуэ Жэмбай Оксанэрэ тыгъэхэр яхуищIащ. Апхуэдэхэт МэшбащIэ Исхьэкъ и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса томиблыр, адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ къыдэкIа мыгъэрей Адыгэ махуэгъэпсхэр, нэгъуэщIхэри. — «Адыгэ псалъэм» нобэ щытлъэгъуа Iуэху зехьэкIэр, мыбы щызекIуэ хабзэ дахэхэмрэ гупым фи зэхэтыкIэ екIумрэ ди гъэсэнхэм ягу куэдрэ зэрилъынум шэч хэлъкъым. Мыпхуэдэ зэIущIэхэр хуабжьу сэбэпщ ныбжьыщIэхэм IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ, — жиIащ школакIуэхэм я пашэ Жэмбейм. — Адыгэ газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, редакцэм и лэжьакIуэ псоми сохъуэхъу адэкIи ехъулIэныгъэ яIэу, журналистикэ Iэзагъым и лъагапIэхэм нэсу, газетыр жылагъуэм цIэрыIуэ щащIыфу я IэнатIэр ирахьэкIыну, ди тхыдэм и напэкIуэцIхэр къагъэщIу. ЕгъэджакIуэм зэрыжиIамкIэ, редакцэм щалъэгъуа псомкIи школакIуэхэр иужькIэ щызэдэгуэшэжынущ абы хуэгъэпса класс сыхьэтым. Абы теухуауэ щытынущ школым къыщыфIадзэну блын газетри. Къардэн Дисанэ. Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26709.txt" }
Тэрч щIыналъэр зи IэмыщIэ илъа Илъэс 42-кIэ узэIэбэкIыжмэ, къэхъуа Iуэхущ зи гугъу фхуэсщIынур. ЦIыху дыщэ Сэхъу Къэрэщей Къасбулэт и къуэр телефонкIэ къэпсалъэри, и деж сыщIыхьэну къызжиIащ. А зэманым ар «Ленин гъуэгум» и редактор нэхъыщхьэу лажьэрт, сэ сыздэщыIэр «Кабардино-Балкарская правда» газетырт. ЩIэх дыдэу сыдэкIуеящ ар щылажьэ къатым. И сэлам хынри и псалъэри зы ищIри абы жиIащ: ФIэщмыхъу НэIиб — Си ныбжьэгъуфI, ди Iуэху зытетыр мыращ: Тэрч къалэм пщэдей щагъэлъэпIэнущ Джылахъстэнейм я нэхъыжь ФIэщмыхъу НэIиб Умар и къуэм и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъур. Абы уэ укIуэмэ нэхъыфIу къызолъытэ, лъэпкъ хабзэхэр фIыуэ зэрыпщIэм къыхэкIкIэ. АбыкIэ сэ сыгурыIуэнщ уи редактор нэхъыщхьэ Черемисиным. — Уи псалъэр си дежкIэ унафэщ, — жысIащ сэ. Къэрэщей си Iуэху къызэхъулIэну къызэхъуэхъури, гъуэгу сытехьащ… Районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм, гуфIэгъуэр щекIуэкIынум, журналистхэр дыщыIухьэм, бжэм ета IункIыбзэ къэбым «дыкъигъэлъеижащ». ТIэкIуи дыкъэуIэбжьауэ, ди жагъуэ хъуари хэлъу дыкъыIукIыжри, партым и райкомым декIуэлIащ. Абы къыщыдгурагъэIуащ юбилярыр зэрыгукъыдэмыжым къыхэкIыу, зэхыхьэр ягъэIэпхъуэн хуей зэрыхъуар. Арати, си лэжьэгъухэр мэкъумэш IэнатIэхэм я Iуэху зытет къащIэну зэбгрыкIащ, хъыбарыншэу лэжьапIэм бгъэзэж нэхърэ ари зыгуэртэкъэ?! Ауэ сэ сепIэщIэкIакъым — мурад быдэ сщIат, дауэ мыхъуами, нэхъыжьыфIым сыIущIэну. Тезгъэчыныхьу сыщIэлъэIуа нэужь, къызэхъулIащ си гухэлъыр. Райкомым и лэжьакIуэ щIалэщIэ МэчрэIил ФIэщмыхъу НэIибхэ я унэ сишащ. Куэбжэр къытхуIуихащ цIыхубз мытIорысэ зэкIужым. ФIэхъус ирихри, МэчрэIил абы еупщIащ: «Любэ, уи адэм дыIущIэмэ, гугъу едмыгъэхьыну пIэрэ?» «Хьэуэ, хьэуэ, фымыгузавэ, нобэ нэхъыфIщ ар. Фыкъыдыхьэ, уеблэмэ къыфщыгуфIыкIыпэнущ ди адэр», — жэуап къитащ цIыхубзым. Зэрыхабзэщи, хьэщIэр сэрати, япэу сыщIыхьащ унэм. НэIиб пIэкум ист, гу зэрылъыстамкIи нэжэгужэт. «Сэлам Алейкум, тхьэмадэ!» — зыхуэзгъэзащ абы. «Уалейкум сэлам. Сыпэплъатэкъым нобэ мыпхуэдэ щIалэщIэхэр си хьэщIэну», — жану жэуап къитыжащ НэIиб. Зэ еплъыгъуэкIэ, зэрыжыхуаIам хуэдэу сымаджафэ теттэкъым абы, уеблэмэ зэрынэкIущхьэплъым узыншэ дыдэу гурыщхъуэ уигъэщIырт. «Сыт, щIалэ, фыкъэзгъэпцIарэ сызэрысымаджэр пэжрэ зэхэбгъэкIыну райкомым укъигъэкIуа? Абы щыгъуэми щыхьэт техъуэн пщIыгъуу…» — гушыIэу зыхуигъэзащ НэIиб и къуажэгъум. «Хьэуэ, ди нэхъыжь лъапIэ! Мы къыпхуеблэгъар Налшык къалэ къикIа журналистщ, уигъэлъэпIэну къэкIуауэ аращ», — жиIащ щIалэщIэм. А дакъикъэр къэзгъэсэбэпри, сэри зыкъезгъэцIыхуащ ФIэщмыхъухэ я нэхъыжьым. «Сэ си цIэр Азрэтщ, уи деж сыкъэзыгъэкIуар Сэхъу Къэрэщейщ, унафэ къысхуищIащ лэжьыгъэ купщIафIэ уэ птеухуауэ згъэхьэзырыну», — жызоIэ. А псалъэхэм иужь, НэIиб гуапэу къыпыгуфIыкIри, жиIащ: «Къэрэщей щхьэусыгъуэншэу си деж цIыху къигъэкIуэнукъым…» Япэу гу зылъыстахэм ящыщт НэIиб сэлам щесхым къысхуишия и Iэ лэрыгъухэм къару къызэрымыгуэкI зэрыщIэлъыр. ИкIи сегупсысат абы дяпэкIи и хъыбарыфI зэрызэхыдигъэхынум. Пэжыр жысIэнщи, сропагэ а цIыху угъурлыр абы щыгъуэм къызэрысцIыхуам. Ди зэпсэлъэныгъэм и ужькIэ стхауэ щытащ «Къэрэхьэлъкъым и къуэ» очеркыр. СызыщыгуфIыкIхэм ящыщщ абы щыгъуэм, илъэс 42-рэ и пэкIэ, Тэрч сыкъыщынэу, махуэ зытIукIэ ветераным и унэм сызэрыщыIам (НэIиб тригъэчыныхьат). Сэ сфIэгъэщIэгъуэну сыщIэдэIуат нэхъыжьым и гукъэкIыжхэм (гугъуми, лIыхъужьыгъэ защIэкIэ гъэнщIат абы и гъащIэр зэрыщыту), нэхъыщхьэрати, куэд щIауэ сызэгупсыс «Сыт а дадэр ТэрчыщIым и тепщэу щIабжыр?» упщIэм и жэуапыр къысIэрыхьат. … Куэд щIащ абы лъандэрэ. Куэдми зихъуэжащ, мыхьэнэ зиIэ къэхъугъэ Iэджи тщыгъупщащ. Дызэрыщыгъуазэщи, Коммунист партыр нобэ къэралым щытепщэжкъым. А зэманым къэралыгъуэшхуэр зытета идеологиери, Хэку зауэшхуэм текIуэныгъэ къызэрыщытхьари, зэхэкъута цIыхубэ хозяйствэр къэIэтыжа зэрыхъуари зи фIыгъэр тIэщIэгъупщыкIащ. Нэхъыщхьэжырщи, а зэманым лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкIахэу ФIэщмыхъу НэIиб хуэдэхэм я фIыщIэр догъэкIуэдыж. Ауэ, ди насыпщи, щыIэщ иджыри ди лIыхъужьхэр зыщымыгъупщэ. ФIэщмыхъу лъэпкъым щыщхэм я лъэIукIэ, Тэрч щIыналъэм и тепщэу щытам аргуэру зэ и гугъу фхузощI. Мы тхыгъэр щыстхым, сэ иджыри зэ хьэкъыу спхыкIащ сызэпсэлъылIэну къысхуихуа ди нэхъыжьыфIхэм я гъащIэм щыгъуазэ сызэрыхъуам си дежкIэ мыхьэнэ ин зэриIэр. … Тэрч къалэ и гъавэ хъумапIэм пэмыжыжьэу щытащ адрей унэхэм зыкIи къахэмыщ зы псэуалъэ. Ардыдэрщ ФIэщмыхъу НэIиб и илъэси 100-р къызэрыгуэкIыу щигъэлъэпIари. НэIиб ипхъу Любэ къызэрызжиIэжауэ щытамкIэ, а унэр куэд щIауэ якъутэу щIэ яухуэн хуеят, ауэ езы НэIиб идатэкъым. А унэм гукъэкIыж IэджэкIэ епхат ар. Лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэр къыщазэуа зэман, тхьэмыщкIагъэрэ мэжэщIалIагъэрэ щыщыIа лъэхъэнэ — гугъуехьыр щыкуэдами, а щIыналъэм щыпсэухэр я лIыхъужьыгъэкIэ, пагагъкIэ псоми къахэщырт. НэIиб и лэжьыгъэ закъуэр къапщтэми, IупщI хъунущ жылагъуэ псом иIа псэукIэр. … Дауэ цIыхур лIыхъужь зэрыхъур? Сыт абы къару къезытыр, гъэунэхупIэхэм пхыкIыу текIуэныгъэр къихьыну? УпщIэ къызэрыгуэкIтэкъым ахэр илъэси 100 къызэзынэкIа ветераным дежкIэ. А дакъикъэм пэшыр даущыншэ зэрыхъуам куэд къызжиIащ. Шэч хэмылъу, абы и щхьэм къихьэжат зыпхыкIа куэд, сэ сызыщымыгъуазэхэр. Сэ слъагъурт губзыгъагъэ къызэрыщ и нэгур икIи къызгурыIуэрт абы дежкIэ гукъэкIыжхэр зэрымытыншыр. НэIиб ищIэжырт 1917 гъэм къэралым щекIуэкIа Октябрь зэщIэхъееныгъэри… «Сыхэтыт сэ абы щыгъуэм, — зэупщIыжащ НэIиб, итIанэ ХьэхъупащIэ Амырхъан и псалъэкIэ жэуап къитат. — Сэ сыкъэрэхьэлъкъщ, къэрэхьэлъкъым срикъуэщ, щIым и бэуэкIэмрэ мэзым и Iугъуэмрэ зыщIихуахэм сащыщщ. Сэ сыIэщыхъуэщ икIи сывакIуэлIщ… Сэ сщIэрт хакIуэ мыгъасэм къызэрыпэскIухьынур… Сэ сщIэрт Iуэхушхуэ куэд, ахэр хэмыкIыжын лэрыгъуу къыхэнащ си Iэгум… Хэт сэ абы щыгъуэ сызэрыщымытар? Сызэрыщымытар зыщ — сэр-сэру…» ИтIани, НэIиб и сабиигъуэм зытригъэгусэртэкъым. Абы къызэрилъытэмкIэ, и Iуэху къикIат и адэм, ар еджэн зэрыхуейр къилъытэу, урыс школым зэрыритамкIэ. Апхуэдэу, 1888 гъэм ирихьэлIэу НэIиб Курп Ищхъэрэ жылагъуэм щIэныгъэкIэ къыщытекIуэ щымыIэу ябжырт. Абы хэзымыщIыкIа сэри, фэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъу жысIэнщи, хъыбарыр здыжиIэм а цIыхум сригушхуэрт. Ар жесIэну сыщыхуежьэм, НэIиб си щытхъу псалъэхэр зэхимых зищIри, къызэIупщIащ: «Уэ ужурналист къудейкъым, атIэ икIи убалъкъэрщ. Сыпщогугъ, Гундэлэн щыщ си балъкъэр ныбжьэгъу Жанатаев Алий теухуауэ зыгуэр пщIэнкIэ. Абы и гъащIэр сысейм зыгуэркIэ ещхьащ. И къуих зауэм дигъэкIат абы, плIыр хэкIуэдащ. Налшык щекIуэкIыу щыта зэхыхьэхэм абы и цIэр куэдрэ щызэхэпхырт, и дуней тетыкIэр щапхъэу къахьырт». Сызыщымыгугъа къэхъуат. Тэрч дэнэ щыIэ, Гундэлэн жылагъуэр дэнэ щыIэ?! — схузэхуэгъакIуэртэкъым. Пэжыр жысIэнщи, сыкъэуIэбжьари хэлът… Си адэшхуэм теухуауэ а псор НэIиб щищIэр дэнэ, жыхуэсIэу. ЗыкъэсщIэжа нэужь, сэ сыкъэтэджри, гъуэлъыпIэм ис дадэм IэплIэ хуэсщIащ. «Дауэ?! Ар уэ пцIыхууи? Си анэмкIэ си адэшхуэращ зи гугъу пщIыр», — жысIащ. Си псалъэхэм я ужькIэ къэтэджар езы НэIибщ. И ныбжьым хуумыгъэфэщэну, абы зы къарукIэ и бгъэгум срикъузылIати, псалъэхэр сэри сфIэкIуэдат. Абы и нэхэм нэпс къекIуат. «ЩыIэу къыщIэкIынщ дэ зэи къыдгурымыIуэну Iуэхугъуэхэр… Зы къару гуэрхэм укъысхуагъэкIуащ уэ, си балъкъэр ныбжьэгъум и пхъурылъхур… УкIуэжмэ, си сэлам иумыхыжу къыумыгъанэ Алий, зы IэплIэшхуи схухуэщIыж». А дакъикъэм щегъэжьауэ, гукъэкIыж къызэрымыкIуэхэр кърикIутат НэIиб. Ар тепсэлъыхьыжащ граждан зауэм и лъэхъэнэ хьэлъэхэм зэрызэуам, унагъуэ-унагъуэкIэрэ къызэхакIухьурэ цIыхубэр колхозым хыхьэну къыхураджэу зэрыщытам. Октябрь революцэр къыщыхъеям, куэдрэ мыгупсысэу лъэпкъым къулыкъу хуищIэну дэкIат ар. Зэман хьэлъэт: гъей, тхьэмыщкIагъэ, жылагъуэ зэтекъутахэр… Щышынакъым зыми НэIиб. Ар икъукIэ щIэхъуэпсырт щхьэхуимыту къулейхэм куэдрэ яхуэлэжьахэм насып ягъуэтыжыным. КъищынэмыщIауи, НэIиб хуейт и къуэш нэхъыжь Данил, нэхъапэIуэкIэ революцэм хыхьам, IущIэну. Данил и хабзэт ежьэрэ зыкъомрэ къэту, къэкIуэжа нэужь, хьэщIэ зэраIэнур жиIэу. — Апхуэдэ махуэм унагъуэм ису хъуар дыдэкIырт, — жиIэжырт НэIиб. — Зэгуэр сэ къысIэщIэлъэгъуащ ди пщIантIэм шу зыбжанэ дыхьэу. Абыхэм нэхъ къахэщырт щIакIуэ зыщыгъ, пащIэ фIыцIэ зытет лIыр. Ар щIэх-щIэхыурэ къытхуеблагъэрт. ИужькIэщ дэ къыщытщIар ар Орджоникидзе Серго жыхуаIэжыр зэрыарар. Ар хэтат партым и щIыпIэ съезд Владикавказ щекIуэкIам. … Жэщыр уфащ, пшагъуэ щIыIэ Iувым щIым зытриубгъуащ, НэIиб гъуэгу щIагъуи имылъагъуу кIуэцIрокI. Жылагъуэм щызэпхыIукIат Серебряковым и дзэр щIыгъуу къуажэм къызэрыдыхьэнур. Арати, НэIиб и пщэ къралъхьащ а псалъэмакъым и пэжыпIэр зэхигъэкIыну. Лэжьыгъэ гугъут, ауэ Iуэхур зэфIэгъэкIын хуейт. Абы и гущхьи къэкIыртэкъым а дакъикъэхэм я унэр Серебряковым и цIыхухэм къаухъуреихьу Данил гъэр зэращIар, абы удын бзаджэ зэрырадзыр… Нэхущым къуажэдэсхэр зрихьэлIар шынагъуэт. Кхъэм пэмыжыжьэу щыIэ щIыпIэ хэIэтыкIам щхьэпылъэ щащIат большевикхэм япыщIауэ шэч зыхуащIа ФIэщмыхъу Данил яхэту цIыху зыбжанэ. Хьэдэхэм зыри бгъэдамыгъэхьэу жэщищ-махуищкIэ фIагъэлъат. АбыкIэ къагъэлъэгъуар хьэкIэкхъуэкIагъэрэ цIыхугъэншагъэрэт. ЦIыхубэр ягъэшынэну я гугъами, къайхъулIакъым, революцэм и бийхэр куэд мыщIэу хагъэщIащ. Совет властыр щытепщэ хъуащ адыгэ, балъкъэр жылагъуэхэм. Партым и щIыпIэ комитетым къалэн зыщищIыжат: граждан зауэм зэтрикъута псэуалъэхэр, жылагъуэхэр зэфIигъэувэжыну, мэжэщIалIэхэр ерыскъыкIэ къызэригъэпэщыну. Iуэхум къыхэшэн хуейт цIыху пэжхэр. Апхуэдэт ФIэщмыхъу НэIиб. Партым абы пщэрылъ щищIащ цIыхухэр зыхуеинухэмкIэ къызэгъэпэщыныр. ИужьыIуэкIэ НэIиб къыхуагъэфэщауэ щытащ къуажэ унафэщI IэнатIэр. — ГукъэкIыж хьэлъэщ ахэр, — жиIэрт НэIиб. — ЩIакхъуэр, сабыныр, фошыгъур, щыгъыныр — псори къыдэмэщIэкIырт. ЩIыпIэ-щIыпIэхэр лъэсу къызэхэткIухьын хуей хъурт, хьэпшыпыр, шхыныр выгухэмкIэ Налшык, Владикавказ, нэгъуэщI щIыпIэхэми къыщитш щыIэт. Къуажэ советыр яхъумэу цIыхухэр махуитI-щыкIэ щызэхэти къэхъурт, сэ сыкъэсыжыным пэплъэу… Языныкъуэхэм дакъыгурыIуэрти, фIыщIэ къытхуащIырт, нэгъуэщIхэр къыдэхъурджауэрт зэман кIыхькIэ зэрызэдгъэжьам щхьэкIэ, — жиIэрт НэIиб. И лэжьыгъэр ныкъусаныгъэншэу зэрырихьэкIыным къыдэкIуэу, Данил и бын зеиншэу къэнахэу Iустырхъанрэ Мишкэрэ, и къуэш ТIалиб и сабийхэм якIэлъыплъын хуейт, езым еиплIыр абыхэм яхэтыжу. Куэд къыщIэнэкIат НэIиб зэрыбыну гум иригъэтIысхьэу Налшык къалэ щришэжьам. Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIум (ЛУГ-м) щригъэджэну арати, «Алыхьыр зи фIэщ мыхъу щIэблэ къигъэтэджыну» зэрыхуеймкIэ цIыхухэм ягъэкъуэншат. Емыджар цIыху нэфым пэплъыт зэрыхъунур къызыгурыIуэ НэIиб зи ужь ихьа Iуэхур зэрыпэжыр фIыуэ ищIэрт, ар цIыхухэми къагуригъэIуэну хущIэкъурт. Уеблэмэ, зэкъым, тIэукъым ар и къуажэгъухэм зэрелъэIуар сабийхэр еджэну хуит къащIын щхьэкIэ. Дыщызэпсалъэм НэIиб игу къигъэкIыжат я къуажэ щIалэ цIыкIу Щомахуэ Амырхъан (иужьыIуэкIэ тхакIуэ Iэзэ хъуащ) теухуа хъыбарри. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэр Налшык щеджэну адэ-анэм яутIыпщыртэкъым, апхуэдэу щыхъум, НэIиб щIэмыупщIэжыххэу Амырхъан ишэри, ЛУГ-м щIигъэтIысхьауэ щытащ. ТхакIуэм куэдрэ ар игу къигъэкIыжырт, фIыщIэшхуи къыхуищIырт. Къэралым лэжьыгъэшхуэ щыщекIуэкIа 1930 гъэхэм ФIэщмыхъу НэIиб жыджэру хэтащ колхозхэр къызэгъэпэщыным. Апхуэдэуи абы хузэфIэкIат Мэртэзей (Дей къуажэ) ТОЗ-хэр щызэригъэуIун. Ар къэрэхьэлъкъым и къуэт, цIыхухэм гъащIэщIэ яухуэну игъасэрт. НэIиб игу къигъэкIыжахэм ящыщт ар Москва ягъакIуэу республикэм япэу щаухуэну Мэртэзей гъавэ хъумапIэм и дэфтэрыр къихьауэ зэрыщытар. НэIиб зэхэхауэ къызжиIэжат а ухуэныгъэр зэращIа щIыкIэри, иужькIэ илъэс зыбжанэкIэ абы и унафэщIу зэрыщытари. Илъэс зыбжанэкIэ ар Прохладнэ гъавэ хъумапIэм и Iэтащхьэу щытащ, итIанэ партым и обкомым и бюром и унафэкIэ 1937 гъэм Налшык «Югзагототдел»-м и унафэщIу ягъэуващ. … Къэралым пшэ фIыцIэр къыщхьэщыхьащ — цIыхубэр зыпэмыплъа Хэку зауэшхуэр къэхъеят. Зи ныбжьыр илъэс блыщIым нэблэгъа НэIиб лэжьыгъэшхуэ къыпэщылът: бийм зы гъавэ хьэдзэ Iэрымыгъэхьэныр, зы трактори, зы Iэщи ялъымыгъэсыныр… Къаруушхуэ цIыхухэм ирахьэлIат республикэм и предприятэхэр зауэ щемыкIуэкI щIыпIэхэм гъэIэпхъуэным. Жей имыIэу НэIиб псоми кIэлъыплъырт, иужьрей эшелоным и ужькIэт езыр щыIукIыжыр. Апхуэдэрщ хэкупсэ, зи щIыналъэм и «тепщэ» зыхужаIэжыр. Хэкум щикIым (эвакуацэ ягъакIуэрт), НэIиб и бынхэм (Хъызыр, Борис, Мэржан, Любэ) унафэ яхуещI лIыгъэ яхэлъу бийм IущIэну, зы щхьэкIи къимыкIуэтыну. ЯгъэщIэхъуакъым адэр бынхэм. Хъызыр абы щыгъуэм «Осоавиахим» район советым и унафэщIу лэжьащ. Езым фIэфIу зауэ IэнатIэм Iухьат, артиллерие дивизионым и лагъымыдз батареем и комиссару щыIащ (абы щыгъуэ Мэлгъэбэг деж щызауэрт). А щIыпIэм щызэуащ НэIиб ипхъу Люби, Данил и къуэ Iустырхъани. Куэдрэ зыщаIэжьакъым фашистхэм ди щIыналъэм. Республикэр ди зауэлIхэм хуит къыщащIыжа япэ махуэхэм къыщалъхуа жылэм къегъэзэж ФIэщмыхъу НэIиби. Партым и щIыпIэ комитетым ар аргуэру егъакIуэ зауэм зэтрикъута хозяйствэр къэIэтыжыным хэлIыфIыхьыну. Япэ зауэ нэужьым къагъэкIа гъавэр губгъуэм щолыд. АрщхьэкIэ, ар зэрыIупхыжын, щыбгъэтIылъын къэгъуэтын хуейкъэ? Зыри щыIэкъым, псори зэхэкъутащ. Мыбдеж нэхъыщхьэу НэIиб къысхухигъэщат ди зауэлIхэм я мызакъуэу, а зэманым жылэхэм къыдэна цIыхубэри быдэу зэрызэкъуэувар. Я къару къимыхьми, мэжэщIалIэми, жэщ-махуэ ямыIэу лажьэрт ахэр. 1943 гъэм гъавэ хъумапIэщIэ яухуэжащ. 1944 гъэм ФIэщмыхъур зи пашэ гуп мыиным дэтхэнэми тонн мини 9000 щIэхуэну складитI ящIын яхузэфIэкIат. Ар Iуэхушхуэт! ИлъэситI дэкIри, Москва къикIа комиссэм абыхэм къахуигъэфэщауэ щытащ я япэ саугъэтыр, къэралым и предприятэхэм я зэхьэзэхуэм къызэрыщыхэжаныкIам папщIэ. Абы щыгъуэ НэIиб и унэм микрофон щагъэуври, къэрал псом радиокIэ зэхахыу жылагъуэ лэжьакIуэбэм я гуащIэм ар тепсэлъыхьыжат. Илъэс 30-м нэблагъэкIэ НэIиб щытащ элеваторым и унафэщIу. Къэралым и Правительствэм къилъытащ абы и лэжьыгъэфIыр икIи къыхуигъэфэщащ орденхэмрэ медалхэмрэ. Пенсэм кIуа нэужьи, НэIиб щIэх-щIэхыурэ кIуэрт зэман куэдкIэ и лэжьыгъэр щрихьэкIа элеваторым, я Iуэху зэрыхъум кIэлъыплъырт. Ар псоми къацIыхурт, псори къыщыгуфIыкIырт. … НэIиб сэ сыIущIа иужь, ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдрэ псэужакъым. Абы лъандэри илъэс 42-рэ дэкIыжащ. Арами, сэ хьэкъыу спхыкIащ ноби цIыху мин бжыгъэм ар гуапэу ягу зэрилъыр. Си фIэщ мэхъу абы и фэеплъыр зэрыуахътыншэр, сыту жыпIэмэ, абы къигъэнащ лъэужь дахэ. НэIиб и бынхэри езым хуэдэу хэкупсэрэ я щIыналъэм и цIыху пэжу къигъэхъуащ. Нэхъыжь Хъызыр инженер нэхъыщхьэу щытащ, къыкIэлъыкIуэ Борис адэм и IэщIагъэр къищтэжащ — гъавэ къыщыIах Котляревскэ пунктым и унафэщIу щытащ, ипхъу Любэ илъэс куэдкIэ сатум хэтащ, нэхъыщIэ дыдэ Мэржан и гъащIэр щIэблэм гъэсэныгъэ етыным хухихащ. Зэманыр езыр-езыру йокIуэкI, цIыхум абы зыри хуещIэнукъым. Зи гугъу сщIы цIыхухэр нобэ дунейм тетыжкъым. Ауэ, иджыпсту йофIакIуэ, мэбагъуэ НэIиб и къуэрылъху-пхъурылъхухэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ. Абыхэм я унагъуэхэм щытепщэр мамырыгъэрщ, зэгурыIуэрщ. СощIэ а щIэблэм хабзэ-бзыпхъэ яхэлъу къызэрытэджыр, ахэр хущIокъу республикэ псом щыцIэрыIуа я адэшхуэ НэIиб хуэфэщэн цIыху къахэкIыну. Дапхуэдэу гуфIэнт НэIиб, и къуэрылъху Вячеслав и гъащIэр балъкъэр пщащэ Татьянэ, Гундэлэн дэса и ныбжьэгъуфI Жанатаев Алий и пхъурылъхум, зэрыпищIар илъэгъуатэмэ. Ауэ ар Iэмал зимыIэщ. СигукIи си псэкIи гъунэгъу схуэхъуа а унагъуэм сазэрыщыгуфIыкIыр зыщ — НэIибрэ Алийрэ къуэрылъху-пхъурылъхукIи зэгъунэгъу зэрыхъуарщ. Си фIэщ мэхъу абыхэм я адэжьхэр зэи зэращымыгъупщэнур. «Нобэрей махуэм и уасэр къэпщIэну, пщэдейр зэбгъэлъагъуну ухуеймэ, Iэмал имыIэу зэплъэкIыжыпхъэщ», — жиIакъэ цIыхушхуэ гуэрым! ТЕППЕЕВ Азрэт, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26715.txt" }
Адыгэ хабзэм и къарур Я нэхъ хъыджэбз пагэр, зыкъызыфIэщIыжар адыгэ хабзэ дахэм и пIэм ирегъэувэжыф, и нэмысыр, пщIэ щIыныр япэ иту гъащIэм хегъэувэжыф. Абы и зы щапхъэ гъуэзэджэ, хъыбар къэмыгупсыса сигу къэкIыжащи, ди «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм фхуэсIуэтэнут. Нэхъыжьхэм фIыуэ дощIэж зауэм и пэ зэманхэм, абы къыкIэлъыкIуа лъэхъэнэм къуажэхэм, жылэхэм дэт курыт школхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм ди лъэпкъхэм щыщ IэщIагъэлIхэр къаймэщIэкIыу зэрыщытар. Абы къыхэкIыу, къалэшхуэхэм дэт еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэта IэщIагъэлIхэр илъэс бжыгъэ хэхакIэ Iэмал имыIэу щылэжьэн хуейт щIыпIэ пхыдзахэм. Къуажэм ущыпсэуну гугъут, нобэ хуэмыдэу: жылэхэр куей центрхэм, къалэхэм куэдкIэ япэжыжьэт, унэхэр иджы щыIэ тыншыгъуэ псомкIи къызэгъэпэщатэкъым, псыр псыкъуийм кърашырт, хьэкур зэрагъэплъын пхъэр дамащхьэкIэ мэзым кърахырт, н.къ. Апхуэдэ лэжьэкIэр зыхуэмыхьу ар гъэрыпIэу къэзылъытэхэр мащIэтэкъым, ауэ щIыпIэр ягу ирихьу ар псэупIэ зыхуэхъухэри яхэтт къэралым и щIыналъэ псоми IэмалыншагъэкIэ ирагуашэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм. Апхуэдэу къэралым и педагогикэ институт цIэрыIуэхэм ящыщ зы къэзыуха урыс хъыджэбзищ 1953 гъэм къагъэкIуат ди Псыгуэнсу къуажэм дэт курыт школым. Пщащэ цIыкIуищри екIут, лъагъугъуафIэт, Iэдэбт. Апхуэдэу щытми, абыхэм ящыщ зыр, Максимовэ Людмилэ Фёдор и пхъур, адрей тIум ящхьтэкъым. ЗэрыжаIэмкIэ, абы и щхьэусыгъуэр пединститутыр диплом плъыжькIэ къызэриухарт, абы щхьэкIэ къэмынэуи мы къуажэ пхыдзам къызэрагъэкIуарт. Къалэм тIэкIу щагъэфIа, фIы дыдэуи еджа хъыджэбзыр зэрыпагащэм занщIэу гу лъатащ къуажэдэсхэм икIи апхуэдэ щытыкIэм «пэджэжауэ» зэфIыщэхэтэкъым. Диплом плъыжь иIэу мы щIыпIэм лэжьакIуэ къазэрыхуэкIуа къудейм щхьэкIэ, псоми пщIэ лей къыхуащIын хуейуэ къэзылъыта бзылъхугъэ цIыкIур зэрыщыуэм гу лъимытэу къэнакъым школым и унафэщIу а зэманым щыта, адыгэ Макаренкэу куэдым ялъыта педагог цIэрыIуэ Шыд Хьэзрит. Абы фIыуэ къыгурыIуэрт къалэшхуэхэм щапIа, щеджа егъэджакIуэхэр лъэпкъ школхэм гугъу зэрыщехьыр, псом япэрауэ, къызыхэкIыр къуажэ сабийхэм урысыбзэр зэрамыщIэр зэрыарар, а ныкъусаныгъэм ныбжьыщIэхэм ятыпхъэ щIэныгъэм зэрыкIэригъэхур. ИтIани хэкIыпIэу щыIэр зыт: егъэджакIуэм къарурэ зэфIэкIыу бгъэдэлъыр къыпэщылъ къалэн нэхъыщхьэр гъэзэщIэным ирихьэлIэнырт. Апхуэдэ лъэпощхьэпо къомым хуэмыфащэу кърихьэлIауэ зызылъытэж Максимовэм щIыпIэм зэрызыщимыIэжьэщэнур гурыIуэгъуэ зыщищIа къуажэдэсхэм абы цIэ лейуэ «Дыщэ джэд цIыкIу» фIащат. Уеблэмэ езы Шыд Хьэзрит къыбгъэдыхьэри къыжраIат уафэмкIэ зи щхьэр ета Дыщэ джэд цIыкIур куэд мыщIэу жылэм «зэрыдэлъэтыжынур». Апхуэдэу щыхъум, Хьэзрит Максимовэр ириджэри ткIийуэ жриIащ: «Уэ хъыджэбзым дыщэ джэдым хуэдэу улъэтэну зыпщIу зэхызох. Ар къызэромыхъулIэнур фIыуэ уощIэ. Апхуэдэу зыпщIурэ сабийхэми къуажэдэсхэми я гур зыщыбгъэкI нэхърэ, мынэхъыфIу пIэрэ уи диплом плъыжьым хуэфэщэн лэжьыгъэфIрэ щапхъэфIрэ бгъэлъагъуэу жылэм удэсмэ?..» Школ унафэщIым къыжриIа зы псалъэми пэрыуакъым егъэджакIуэ ныбжьыщIэр, апхуэдизу ахэр и гум зыхищIати. Унэм кIуэжа нэужь, ар куууэ егупсысащ а псалъэхэм икIи мурад быдэ ищIащ дяпэкIэ Шыд Хьэзрит игу зримыгъабгъэу, и диплом плъыжьыр щыхьэт зытехъуэу бгъэдэлъ щIэныгъэри хьэлэлу щIэблэм яритыну. Зы тхьэмахуи нэхъ дэмыкIыу егъэджакIуэм къыдэлажьэхэми, и гъэсэнхэми, къуажэдэсхэми гу лъатэу хуежьащ Максимовэм и пагагъ ямылейр «зэрыткIум». Ауэрэ абы ныбжьэгъу куэд иIэ хъуащ. Ахэр ящыщт школ лэжьакIуэхэми къуажэдэс бзылъхугъэхэми. Абыхэм ядэплъейуэрэ, урыс хъыджэбзым зыхилъхьэрт адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ. Абы къуажэдэс нэхъыжьхэми школакIуэ цIыкIухэми яхуищI пщIэмрэ гулъытэмрэ лъагэу езыр яIэтырт. «Дыщэ джэд цIыкIукIэ» еджэу щытауи пщIэжынутэкъым пщащэм — иджы абы щабэу, гуапэу зыхуагъазэрт и адэцIэмкIэ: «Фёдоровнэ». Абы дахэу зэрызихуапэми иджы хуэдэт псоми гу щылъатар, зыхилъхьа хьэл-щэн дахэм апхуэдизу ар дэбжьыфIэрти. А псоми къадэкIуэу, мо хъыджэбз губзыгъэм, гурыхуэм мурад ищIат адыгэбзэр зригъэщIэну. Ар фэтэру зыщIэс унагъуэм исхэм якIэлъыплъурэ, «дерсхэр» къаIихырт. Школ нэужьым и пэшым къыщIэмыплъу щыта бзылъхугъэр плъагъунт иджы бжэIупэр ипхъэнкIыу, псы къихьу. Уеблэмэ унэгуащэм зыхуигъэзат жэмыр къригъэшыну елъэIуу. Пединститутым и пэкIэ зыщеджа курыт школри дыщэ медалкIэ къэзыуха Фёдоровнэ ныбжьыщIэхэм ядж предмет псори фIы дыдэу ищIэрт. Абы къыхэкIыу ар урок нэужьым школакIуэхэм ядэIэпыкъурт дерсхэр ящIынымкIэ, ахэр къагуригъаIуэу, яхузэпкърихыу. Апхуэдэу ар сэбэп яхуэхъурт еджэным къыкIэрыху сабийхэми. Апхуэдизу гумащIэу цIыкIухэм ябгъэдэт егъэджакIуэр я псэм хамыхыну ялъэгъуат ныбжьыщIэхэм. Апхуэдэу IэфIу я бынхэм къахущыт бзылъхугъэм адэ-анэми къыхуащI пщIэм махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу хэхъуэрт. Школым и мызакъуэу, жылэм щекIуэкI IуэхуфI куэдым я зэхэублакIуэ хъурт иджы Фёдоровнэ. Абы къызэригъэпэщырт махуэшхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр екIуу гъэлъэпIэнри, клубым пшыхь зэхуэмыдэхэр щегъэкIуэкIынри, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу жылэм дэс нэхъыжьхэм защIэгъэкъуэнри. Къуажэ клубым Фёдоровнэ щызэхиша театр гупжьейм спектакль кIэщI хьэлэмэт цIыкIухэр игъэхьэзырырти, абыхэм еплъыну цIыхухэр кърагъэблагъэрт. Абы зы джэгукIэ дахэ утыкум щигъэлъагъуэрти, уи гугъэнт модэ артист цIэрыIуэ гуэр щIыпIэ жыжьэ къикIауэ къуажэдэсхэм папщIэ зыкъигъэлъагъуэу. Псыгуэнсу лэжьакIуэ къызэрагъакIуэрэ зы илъэс щрикъуам щыгъуэ, Фёдоровнэ и хъыбар дахэ зэхэзымыха ди куейм исыжу къыщIэкIынтэкъым. ЛэжьакIуэ жыджэрыр ирагъэблагъэрт куейм и егъэджакIуэ пашэхэм я зэхуэсхэм, лекцэ къащыхуеджи щыIэу. Абы щIэх-щIэхыурэ иригъэкIуэкIырт урысыбзэмрэ литературэмкIэ семинархэр, итырт дерс зэIухахэр, и Iуэху зехьэкIэ мардэхэмкIэ, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэмкIэ адрейхэм ядэгуашэу. 1954 гъэм екIуэкIауэ щыта куей шыщхьэIу зэIущIэм Максимовэм хуабжьу къыщыщытхъуат, партым и райкомым и япэ секретарым и Iэ зыщIэлъ щытхъу тхылъи къыщратат. Лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкI зэмылIэужьыгъуэхэр зыбгъэдэлъ бзылъхугъэ цIыкIум и гъэсэнхэр адрей ныбжьыщIэхэм къахэщырт я щIэныгъэкIэ, урысыбзэр зэращIэмкIэ. Езыми адыгэбзэр уэр-сэру ищIэу хъуауэ жыпIэ хъунут. Лэжьыгъэм, Iуэху зехьэкIэ пэрытым зи цIэр лъагэу иIэта, жыжьэ игъэIуа пщащэ зэкIужым лъыхъу и куэдт, арщхьэкIэ зэкIэ зыми и гур къыхузэIуихыртэкъым. Адыгэ щIалэ къуданхэр хущIэкъурт Фёдоровнэ и лъагъуныгъэм, унэгуащэхэри щIэхъуэпсырт апхуэдэ бзылъхугъэ губзыгъэ цIыкIу я жыхафэгу къыщрагъэувэхыным, нысэ яхуэхъуу щIэблэ дахэ къыщIэхъуэным. Хэт ищIэрэ, нэхъыбэIуэрэ ди къуажэм щыIатэмэ, адыгэ хабзэмрэ ди цIыху зэхэтыкIэмрэ дахьэха хъыджэбзыр егъэджакIуэм и мызакъуэу, нысэ, анэ, анэшхуэ щыхъункIэ хъунт Псыгуэнсу. АрщхьэкIэ а зы илъэсырат ар ди щIыпIэм зэрыщыIэну къыхуиухар. ФокIадэм и пэщIэдзэ дыдэм абы пощтзехьэм телеграммэ къыхуихьащ, и анэр дунейм зэрехыжар, щыщIалъхьэну махуэр иту. Хъыбар гуауэр зэуэ щызэлъащIысащ жылэм. Людмилэ и хьэпшып тIэкIухэмрэ дэфтэрхэмрэ зэщIикъуэжри, пщэдджыжьым жьыуэ ар зэрыкъуажэу ирагъэжьэжащ, шыгу зэщIэщIакIэ кIэлъыкIуэтахэм Налшык деж мафIэгум щрагъэтIысхьэжащ. Людмилэ Фёдоровнэ зыдэкIыжа жылэр нэщI хъуа хуэдэу къызыщыхъуахэр мащIэтэкъым. Адыгэ хабзэр къэзыщта, абы и къарури, мыхьэнэри, акъылыфIагъри, дахагъри псэкIэ зыхэзыщIа а бзылъхугъэ щыпкъэм куэдрэ хуэныкъуащ балигъхэри сабийхэри. Зэман кIыхькIэ цIыхухэм я гум илъащ зи къыдыхьэкIэмрэ дэкIыжыкIэмрэ шурэ лъэсрэ зи зэхуакуа а егъэджакIуэ Iэзэр. Дауи жыIи, а зэманым Псыгуэнсур цIэрыIуэ зыщIахэм ящыщащ Максимовэ Людмилэ Фёдор и пхъур. Зыдигъэзэжа щалъхуа щIыналъэми лэжьыгъэкIэ цIэрыIуэ щыхъуауэ, бзылъхугъэр зыщIэхъуэпс насып къеуэлIауэ Тхьэм къыщIигъэкI. ЖАНТЕМЫРОКЪУЭ Бетэ. Псыгуэнсу къуажэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26718.txt" }
КъБР-р и гъунэгъухэм къакIэрыхуркъым Зы цIыхум тещIыхьауэ 2013 гъэм и щIышылэ-мазае мазэхэм мэкъумэш продукцэу къилэжьам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм етIуанэ увыпIэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щиубыдащ. Ди деж а зэманым цIыху къэс хуэзэу сом 2612,5-рэ и уасэ ерыскъыпхъэ къыщалэжьащ. Мэкъумэш IэнатIэм пэрытхэм — мэкъумэш организацэхэм, мэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэхэм, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм, унагъуэхэм продукцэу къаIэрыхьащ сом меларди 2-рэ мелуан 246,2-рэ и уасэ. КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм макроэкономикэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ-эксперт нэхъыщхьэ Къер Залинэ къызэрыджиIамкIэ, «ЩIым щIэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэхыныр», «Сырьем елэжьыныр», «Электрокъарур, газыр, псыр къэлэжьынымрэ тегуэшэнымрэ» Iуэхухэм хиубыдэу 2013 гъэм и щIышылэ — мазае мазэхэм зэфIагъэкIар 2012 гъэм и апхуэдэ зэманым елъытауэ процент 82,4-рэ (УФ-м — процент 98,5-рэ) хъууэ аращ. Кавказ Ищхъэрэм и субъектхэм ящыщу псэупIэу нэхъыбэ дыдэ (метр зэбгъузэнатIэ мини 182,4-рэ) щащIар Ставрополь крайрщ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2013 гъэм и щIышылэ — мазае мазэхэм псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мин 11,2-рэ хьэзыр щыхъуащ. «Ухуэныгъэ» лэжьыгъэ лIэужьыгъуэм хиубыдэу илъэсым и япэ мазитIым сом мелуан 428,8-рэ, зы цIыхум тещIыхьауэ сом 498,7-рэ, и уасэ зэфIагъэкIащ. А зэман дыдэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и розницэ сатур сом мелард 12-рэ мелуани 180-м щIигъуащ. Абы и лъэныкъуэкIэ нэхъыбэ яхузэфIэкIащ Ставрополь крайм (сом мелард 60-рэ мелуан 837,6-рэ), Дагъыстэн Республикэм (сом мелард 47-рэ мелуан 880-рэ). Зы цIыхум тещIыхьауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм розницэ сатумкIэ и IэнатIэм хьэпшыпу, ерыскъыпхъэу сом мин 14166,2-рэ и уасэ щащащ. Розницэ сатум щаща псоми щыщу ерыскъыпхъэхэр, псы, тутын зэмылIэужьыгъуэхэр я уасэкIэ процент 47,6-рэ, ерыскъыпхъэхэм хэмыхьэ хьэпшыпхэр процент 52,4-рэ мэхъу. 2013 гъэм и япэ мазитIым, ерыскъыпхъэу, псы зэмылIэужьыгъуэу, тутыну цIыхухэм сом меларди 5-рэ мелуан 798,5-рэ и уасэ, ерыскъыпхъэхэм химыубыдэ хьэпшыпу сом меларди 6-рэ мелуан 381,6-рэ и уасэ иращащ. ПщIэкIэ зэфIагъэкI Iуэхутхьэбзэу цIыхухэм щIышылэ — мазае мазэхэм сом меларди 3-рэ мелуан 52,9-рэ хуащIащ. Абы и лъэныкъуэкIэ дяпэ итщ Ставрополь крайр, Дагъыстэн Республикэр, Осетие Ищхъэрэ-Аланиер. БлэкIа илъэсым и дыгъэгъазэ мазэм елъытауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэхуакIуэ уасэхэр проценти 101,3-м щынэсащ. КъБР-м щыпсэу дэтхэнэ зыми мазэм ику иту сом 10459,4-рэ (УФ – сом 17233-рэ) къаIэрохьэ. Нэхъ хэхъуэшхуэ зиIэр (сом 13530-м щIигъу) Дагъыстэн Республикэм исхэрщ. ЦIыхухэм хэхъуэу къаIэрыхьэ ахъшэм и нэхъыбапIэр улахуэрщ. Иужьрей илъэс зыбжанэм цIыхухэм хуатх лэжьапщIэмкIэ япэ итыр Ставрополь крайрщ. Иджыпсту абыхэм хуатха номинальнэ лэжьапщIэр сом 17741,6-рэ хъууэ щытащ. (КъБР-м — сом 16647,8-рэ). Республикэм лэжьапIэншэу официальнэу щатхахэм я бжыгъэр цIыху мини 9,3-рэ мэхъу. 2013 гъэм гъатхэпэм и 1-м ирихьэлIэу лэжьапщIэмкIэ щIыхуэу къатенар сом мелуан 18,8-рэ хъууэ щытащ. Къэрэщей Элеонорэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26722.txt" }
Нарткъалэ къыщызэIуахынущ диализ центр КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэрэ Кавказ Ищхъэрэ нефрологие центрым и унафэщI Ханукаев Михаилрэ иджыблагъэ щызэхуэзам тепсэлъыхьащ Нарткъалэ къыщызэIуахыну диализ центрым и ухуэныгъэхэр зэрекIуэкIым. А зэIущIэм хэтащ центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Хьэтщыкъуэ Анзоррэ «Иджырей медицинэ технологиехэр» IуэхущIапIэм и къызэгъэпэщакIуэ Шэрхъ Мухьэмэдрэ. Центрыр зыгъэхьэзыр лэжьакIуэхэр. Хьэтщыкъуэ Анзор къызэрыджиIамкIэ, гемодиализ хуэныкъуэу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, я лъыр Iэмал имыIэу гъэкъэбзэн хуейуэ республикэм ису цIыхуи 168-рэ къыхэтхыкIауэ щыIэщ. Мы зэманым зи жьэжьейр зэуз сымаджэхэм гемодиализыр щрагъэкIуэкI республикэ клиникэ сымаджэщым. ЩIэуэ къызэIуахыну центрым пщIэншэу медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэтыфынущ цIыху 210-м. Сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу къызэгъэпэща пэшитхум диализ щащIыну тIысыпIэу 35-рэ иIэщ. Сымаджэм и лъыр гъэкъэбзэным сыхьэти 4-4,5-рэ токIуадэ, центрыр махуэми жэщми лэжьэнущ. Хьэтщыкъуэм къыхигъэщащ а IуэхущIапIэр дуней псом щыцIэрыIуэ фирмэхэм къыщIагъэкIа иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщар, абы къыхэкIыуи, сымаджэхэм фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыратыфынур. «Дэ ди къалэныр сымаджэм и узыншагъэм кIэлъыплъыным и закъуэкъым, атIэ и лэжьыгъэ Iыхьэр ищIэжыфу щытынымкIэ Iэмал еттын хуейщ», — жиIащ абы. Ханукаев Михаил ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм я фIагъым арэзы ящIащ. Абы жиIащ Кавказ Ищхъэрэ нефрологие центрым и филиалхэр хэгъуэгу псоми зэрыщылажьэр, кIэлъыплъыныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIи, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэхэр Нарткъалэ щаухуа диализ центрым хуэдэхэрауэ зэрыщытыр. Ханукаевым къыхигъэщащ диализ центрыр санитар жыпхъэхэмрэ хабзэхэмрэ тету зэраухуар, мыбы щыIэ тыншыпIэхэм хуэдэхэм къызэрыгуэкI сымаджэщхэм узэрыщримыхьэлIэнур. Шэрхъ Мухьэмэд зэрыжиIамкIэ, я IуэхущIапIэр иджы япэу мыпхуэдэ ухуэныгъэ гугъум ирихьэлIэу аращ икIи яфIэгъэщIэгъуэну абы зрапщытащ, я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпари технологиещIэрщ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, пэшхэм щIэт хьэуар зыгъэкъабзэ, температурэр тэмэму щызыгъэт Iэмэпсымэхэр. ЖыпIэнурамэ, санитарно-эпидемиологие хабзэхэм ткIийуэ тету псори къызэрагъэпэщащ. IуэхущIапIэр щхьэхуэу къагъэплъ, абы электрокъарур кIапситIкIэ къокIуалIэ: зыр республикэм, адрейр Ставрополь крайм яйщ. Апхуэдэу щIыщытыр зыгуэр къэхъу хъужыкъуэмэ, я лэжьыгъэр зэпымыун щхьэкIэщ. Центрым и унэр хуэщIащ гу цIыкIум ис ныкъуэдыкъуэхэми зрагъэIэзэныр къаймыхьэлъэкIыным. Шэт Ирмэ и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр мазитIым къриубыдэу зэфIэкIынущ, иджыпсту сымаджэхэр абы зэрекIуэлIэну Iуэхур зэхагъэкI. Центрыр Нарткъалэ и район сымаджэщми дэлэжьэнущ, абы къекIуалIэхэр нэгъуэщI медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ хъумэ, зыкъыщIагъэкъуэн папщIэ. Щомахуэ Лилэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26724.txt" }
Министрыр яхуогузавэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Руслан щыгъуэ телеграммэ хуигъэхьащ Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Гунбэ Бадрэ. Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу ар лъэпкъым хуогузавэ Абхъаз Республикэм и цIыхубэ артист Лагвилавэ Олегрэ Абхъазми Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэми я цIыхубэ артист Камки Нурбейрэ дунейм зэрехыжам къыхэ- кIыу. Актер гъуэзэджэхэм Чанбэ Самсон и цIэр зезыхьэ Абхъаз къэрал драмэ театрым щагъэзэщIа ролхэр дыщэ гъэтIылъыгъэхэм щыщ хъуауэ къалъытэ. Абыхэм кинематографиеми лъэужь дахэ къыщагъэнащ. «Езыхэри абыхэм Абхъазым и щэнхабзэм хуащIа хэлъхьэныгъэри ди гум илъынщ, щIэблэми ящыгъупщэнкъым», — итщ телеграммэм. ГЕРАСИМОВЭ Риммэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26727.txt" }
Нобэ 1945 гъэм Иуан Хьэсэн Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. 1964 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ», «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ. 2010 гъэм Смоленск деж къыщехуэхащ Польшэм и президентым и кхъухьлъатэр. Абы иса цIыху 96-р, Качиньский Лехи, абы и щхьэгъусэри, политик, дзэ къулыкъущIэ цIэрыIуэхэри яхэту, хэкIуэдауэ щытащ. Япэ адыгэ бзэщIэныгъэ еджагъэшхуэ Iэщхьэмахуэ Даут къызэралъхурэ илъэси 116-рэ ирокъу. УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марьянэ къыщалъхуа махуэщ. Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Пащты Борис и ныбжьыр илъэс 56-рэ ирокъу. Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и редактор нэхъыщхьэ Гъурф Бэллэ къыщалъхуа махуэщ. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Лу Рэмэзан и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх мащIэ къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 10 — 11, жэщым градуси 9 — 10 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26730.txt" }
Каринэрэ Полинэрэ я ехъулIэныгъэшхуэ «Акъыл+Дахагъэ=Студент» дунейпсо ныбжьыщIэ зэпеуэм и кIэух зэхыхьэр Санкт-Петербург иджыблагъэ щекIуэкIащ. Иджырей студенткэм, фIыуэ еджэм, дахэм икIи акъылыфIэм, и образ екIур убзыхунырщ зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм я мурад нэхъыщхьэр. Илъэс 16 лъандэрэ ар ирегъэкIуэкI Профсоюзхэм я гуманитар университету Санкт-Петербург дэтым. Иджырей зэпеуэм хэтащ мы гъэм курыт школхэр къэзыух пщащэ мини 3-м щIигъу. Абы и иужьрей зэхыхьэм нэсащ Урысей Федерацэм, Украинэм, Къэзахъстаным щыщ ныбжьыщIэ 18. ИпэкIэ зэи къэмыхъуауэ, зэпеуэм и иужьрей Iыхьэм хэхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ хъыджэбзитI: Налшык дэт лицей №2-м и еджакIуэ, къалэм и щIалэгъуалэ советым и унафэщI, «21-нэ лIэщIыгъуэм и пашэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуауэ щыта Дэхъущокъуэ Каринэрэ Прохладнэ къалэм дэт лицей №3-м щеджэ, спортсменкэ икIи волонтер Дорошенкэ Полинэрэ. Ахэр хъуащ езыхэр щеджэ школхэм я мызакъуэу, щIыналъэ псом и еджакIуэ нэхъыфI. Зэпеуэм и иужьрей Iыхьэм зэрыхэтынум пщащэхэм махуи 10-кIэ зыхуагъэхьэзыращ. Абыхэм къапщытэжащ хамэ къэралыбзэхэмкIэ, къэфэнымкIэ, уэрэд жыIэнымкIэ, спортымкIэ, театр гъуазджэмкIэ яIэ зэфIэкIхэр. ИужькIэ ахэр университетым и утыкушхуэм къихьащ, зызыхуагъэхьэзыра унэтIыныгъэ псори наIуэ къащIыну. Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтт щIэныгъэлI, уэрэджыIакIуэ, спортсмен, артист, макъамэтх цIэрыIуэхэр. Мыгъэрей зэпеуэм и темэр «Дакъикъэ 80-кIэ — ЩIым и хъуреягъыр». Ди гуапэ зэрыхъущи, «Акъыл+Дахагъэ=Студент» дунейпсо ныбжьыщIэ зэпеуэм щытекIуахэм яхэхуащ Каринэрэ Полинэрэ. Ди лъахэгъу пщащэхэм иджы хуитыныгъэ яIэщ Профсоюзхэм я гуманитар университету Санкт-Петербург дэтым и дэтхэнэ зы факультетми пщIэншэу щеджэну. ПЩЫГЪУЭШ Iэсият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26732.txt" }
Налшык къыдекIуэкI гъуэгум щыщ Iыхьэр мы гъэм хьэзыр хъунущ КъБР-м и Правительствэм зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ 2013 гъэм гъуэгу лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыным теухуа программэм. КъБР-м транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн къызэрыджиIамкIэ, апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр къызыхэкIар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и деж щрагъэкIуэкIа зэIущIэм и протоколым тету хэщIхэмкIэ статьяхэм зэрыхэплъэжарщ, апхуэдэу «Урысей Ипщэ (2008 — 2013 гъэхэм)» федеральнэ программэ хэхар гъэзэщIэным хуэунэтIауэ 2013 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетым субсидиехэр къыхуэутIыпщынымкIэ УФ-м Автомобиль транспорымкIэ и министерствэм зэгурыIуэныгъэ зэрыращIылIарщ. Нартан — Iэдииху автомобиль гъуэгур, абы хиубыдэу Налшык псым телъыну лъэмыжыр яухуэным и пIэкIэ гъуэгу лэжьыгъэхэм я программэм хагъэхьэ Налшык къалэм къыдекIуэкI гъуэгум и Щхьэлыкъуэ — Нартан Iыхьэу километри 2,5-рэ хъур. Абы трагъэкIуэдэну сом мелуан 60,43-р республикэ бюджетым къиутIыпщынущ. А лэжьыгъэр 2013 гъэм и еплIанэ кварталым зэфIагъэкIыну къапэщытщ. Апхуэдэу гъуэгу лэжьыгъэхэм 2013 гъэм трагъэкIуэдэну ахъшэм щыщу сом мелуан 410,08-р федеральнэ бюджетым, сом мелуан 93,76-р республикэ бюджетым къыхэкIынущ. Хьэпэ Маринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26734.txt" }
Зыужьыныгъэм папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и унафэкIэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан министр гуп и гъусэу лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыIэщ. Ахэр йолэжь 2016 гъэ пщIондэ ягъэхьэзыра зыуэ щыт федеральнэ программэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр зэрыхэтыну щIыкIэхэр убзыхуным. Хьэсанэ Руслан зэрыжиIамкIэ, федеральнэ программэхэм хэтыным и пIалъэр ди республикэм фIыуэ ещIэ. Зыуэ щыт федеральнэ программэхэм хэткIэрэ ди лъахэм мылъку хъарзынэ къыIэрыхьащ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу. Иджыри апхуэдэ зэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIэ унэ зэтетхэр зэгъэпэщыжыным, агропромышленнэ Iуэхум зегъэужьыным, школыщIэхэр ухуэным, узыншагъэр хъумэн IэнатIэр ипэкIэ гъэкIуэтэным ехьэлIауэ. Шыпш Даянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26736.txt" }
ЗэпыщIэныгъэр ягъэбыдэ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен блыщхьэ кIуам яIущIащ Ленинград областым и Хабзэубзыху зэхуэсым и лIыкIуэхэм. Ищхъэрэ къалащхьэм къикIа хьэщIэхэр ди республикэм махуищкIэ щыIэнущ. ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ. ЗэIущIэр къыщызэIуихым Къанокъуэ Арсен жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ленинград областымрэ гуапагъэрэ ныбжьэгъугъэрэ я зэхуаку дэлъу къызэрызэдекIуэкIыр: «Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм КъБР-м щыщ щIалэхэр Дзэ Плъыжьым хэту Ленинград блокадэм лIыгъэ щызэрахьауэ щытащ. Нобэ дирижер цIэрыIуэ, Санкт-Петербург щылажьэ, щыпсэу Темыркъан Юрэ ди лъахэм и пщIэр еIэт, а областым и мызакъуэу, къэралми, дунейми щыпсэухэр игъэгуфIэу». Къанокъуэм хьэщIэхэр щигъэгъуэзащ ди республикэм и экономикэмрэ инвестпроектхэмрэ я Iуэху зыIутым. «Дэ дыхущIокъу ди къэкIуэнум къыхуэсэбэпын хуэдэу экономикэ Iуэхухэр зэфIэтхыну, — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. — Нэхъыщхьэр пIалъэ кIэщIым хухэха Iуэхур зэфIэбгъэкIыныр аракъым, атIэ абы кърикIуэр адэкIи щхьэпэн хуейщ, къапщтэ унафэмкIэ жэуаплыныгъэ пхьыжыпхъэщ». Бысымхэмрэ хьэщIэхэмрэ куэдым тепсэлъыхьащ, абыхэм ящыщт щIы Iуэхури. Ленинград областым къикIахэм къагъэлъэгъуащ я щIыр Iыхьэ-Iыхьэу ягуэша щхьэкIэ, фейдэшхуэ къызэрыпэмыкIуар. ЗэIущIэм хэтхэм я гугъу ящIащ Санкт-Петербургрэ Ленинград областымрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэгъэгъуэтыным, туризмэм зегъэужьыным, щIыналъэхэм я щэнхабзэхэр зыгъэлъагъуэ гупхэр зэкIэлъыкIуэным, нэгъуэщIхэми. Ленинград областым и Хабзэубзыху зэхуэсым и Iэтащхьэ Бабенин Сергей къыхигъэщащ нарзан псы къыщIэжыпIэм щыIэну зэрыхунэсар: «Фэ цIыхухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ Iэмал хъарзынэхэр фиIэщ. Ленинград областым щыщхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэм щеIэзэ и IуэхущIапIэхэм къакIуэу зэтеублэным егупсысын хуейщ», — жиIащ абы. Мы махуэхэм хьэщIэхэм районхэм я псэукIэр зрагъэлъагъу, апхуэдэуи Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщрагъэплъыхьынущ. ЛIыкIуэхэм яхэтщ Ленинград областым и Хабзэубзыху зэхуэсым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Олейник Юрий, агропромышленнэ, мэкъумэш IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэм и Iэтащхьэ Хабаров Иван, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ комиссэм и унафэщI Пустотин Николай, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ IуэхухэмкIэ комиссэм и тхьэмадэ Жирнов Геннадий, «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» фракцэм и Iэтащхьэ Перминов Александр, аппаратым и унафэщIым и япэ къуэдзэ — Ленинград областым и Хабзэубзыху зэхуэсым хабзэмкIэ и управленэм и Iэтащхьэ Коваленкэ Андрей сымэ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26739.txt" }
Къардэн Мухьэмэд Хьэсанэ и къуэр Дунейм ехыжащ журналист цIэрыIуэ, жылагъуэ Iуэхузехьэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу илъэси 10-м щIигъукIэ щыта Къардэн Мухьэмэд Хьэсанэ и къуэр. Мухьэмэд Хьэбэз районым хыхьэ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм 1935 гъэм жэпуэгъуэм и 11-м къыщалъхуащ. Зауэм, зауэ нэужь илъэс гугъухэм зи сабиигъуэри щIалэгъуэри хиубыдахэм ящыщщ Мухьэмэд. Арами, щIэныгъэм хуэпабгъэ щIалэм емыджэу зыкъигъэнакъым. Къуажэ курыт еджапIэ нэужьым абы диплом плъыжькIэ къиухащ Черкесск дэт педучилищэр. АдэкIэ Къардэныр щIотIысхьэ Пятигорск дэт къэрал пединститутым. ИужькIэ къуажэ школым къегъэзэжри, сабийхэм урысыбзэмрэ литературэмрэ ярегъэдж. Хэлъэт зиIэ щIалэ гумызагъэр Хьэбэз районым и комсомол конференцым и делегату хах. Мухьэмэд абы пэмыплъагъэххэу, делегатхэм Iэ хуаIэтри, райкомым и секретару хах. Куэд мыщIэу партым и обкомым идеологиемкIэ и къудамэм и инструктор IэнатIэр къыхуагъэфащэ. А къулыкъум щыпкъэу илъэситхукIэ пэрыта нэужь, Мухьэмэд обкомым и япэ секретарым зыхуигъэзащ КПСС-м и ЦК-м и парт еджапIэ нэхъыщхьэу Москва дэтым ягъэкIуэну. ИкIи и лъэIур къыхуащIэри, и щIэныгъэм абы щыхигъэхъуауэ щытащ Къардэным. Ар къиуха нэужь IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм я унафэщIу лэжьащ, дзыхь къыхуащIа IэнатIэр зэрыригъэфIэкIуэным, цIыхубэм я губгъэн къызэримыхьыным яужь ит зэпыту. АдыгэбзэкIэ къыдэкI «Ленин нур» республикэ газетым и редактор нэхъыщхьэу, республикэ телевиденэм и унафэщIу, КъШР-м и Журналистхэм я союзым и тхьэмадэу щыткIэрэ, лъэпкъ журналистикэм зиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Къардэн Мухьэмэд. Абы и тхыгъэ купщIафIэ куэд республикэ, куей газетхэм, «Журналист» журналым къытрадзащ. Мухьэмэд зыцIыхуу щытахэм ар ягу къинащ зи IэщIагъэм хуэIэижь, цIыхум пщIэ хуэщIыныр зи хьэл нэхъыщхьэ адыгэлI щыпкъэу. Къардэн Мухьэмэд и лэжьыгъэфIыр гулъытэншэ хъуакъым. Абы къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэхэр, абыхэм ящыщщ Урысей Федерацэм и Президентым и УказкIэ кърата Зэныбжьэгъугъэм и Орденыр. Къардэн Мухьэмэд Хьэсанэ и къуэм и фэеплъыр ди гум илъынущ. КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэр, «Черкес хэку», «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ» газетхэм я лэжьакIуэхэр, Шэржэс Адыгэ Хасэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26744.txt" }
Хьэрхуэрэгъухэр йокIуэтэкI «Спартак-Налшык» (Налшык) – «Волгарь» (Астрахань) — 3:1 (0:0). Налшык. «Спартак» стадион. Мэлыжьыхьым и 9-м. ЦIыху 1500-рэ еплъащ. Судьяхэр: Левников, Кудрявцев, Абусуев (псори Санкт-Петербург щыщщ). «Спартак-Налшык»: Коченков, Засеев, Джудович, Тимошин, Багаев, Сирадзе (Гъуэщокъуэ, 59), Зинович (Коронов, 35), Концедалов, Руа Карлос (Чеботару, 77), Аверьянов, Медведев (Болэ, 90). «Волгарь»: Намашкэ, Жиров, Васиев, Локтионов, Зуйков, Терехов (Романенкэ, 57), Мэшыкъуэ (Чочиев, 72), Гриднев, Антипенкэ (Алхазов, 62), Лукьяновс, Дегтярев (Сафронов, 85). Топхэр дагъэкIащ: Гъуэщокъуэм, 69 (1:0). Медведевым, 73 (2:0). Лукьяновс, 81 (2:1). Аверьяновым, 87 (3:1). Дагъуэ хуащIащ Антипенкэ, Засеевым, Концедаловым, Лукьяновс. Гъуэщокъуэ Арсен (№9) топ дигъэкIащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и тIощIрэ ебланэ джэгугъуэм «Спартак-Налшыкыр» утыку къыщихьар адрей командэхэм я зэIущIэр иуха иужькIэщ. Абыхэм налшыкдэсхэр хуабжьу арэзы къэзыщI бжыгъэхэр къарикIуат. Къапщтэмэ, я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэу Калининград и «Балтика»-р, Хабаровск и «СКА-Энер- гия»-р, Волгоград и «Ротор»-р къыхагъэщIат икIи ди щIалэхэм ещанэ увыпIэм дэзыгъэкIуэтей гъуэгур къахузэIуха хъуат. Абы папщIэ «Спартак-Налшыкым» вэсэпшыхь хигъэщIэн хуейт япэ дивизионым къыхэнэн папщIэ и къару псори езыхьэлIэ Астрахань и «Волгарь»-р. ХьэщIэхэм турнир таблицэм и иужь дыдэ увыпIэр нобэкIэ щаIыгъ пэтми, гуп зэкъуэту зыкъагъэлъэгъуащ. Джэгум и япэ сыхьэтым ахэр зыкIи ди щIалэхэм къапикIуэтакъым, уеблэмэ мызэ-мытIэу хэгъэрейхэр щытыкIэ гугъум ирагъэуващ. Астрахандэсхэм къахэжаныкIырт абыхэм яхэт ди лъахэгъу, «Спартак-Налшыкым» и щIыхьыр нэхъапэм илъэс зыбжанэкIэ зыхъума Мэшыкъуэ Аслъэн. Мы гъэм етIуанэу ди щIалэхэр Налшык щоджэгури, абы ирихьэлIэу дунейм и щытыкIэр хуабжьу къызэIохьэ. Тхьэмахуищ и пэкIэ, гъатхэпэм и 18-м, Хабаровск и «СКА-Энергия»-р къыщрагъэблэгъам, зыкъом щIауэ дымылъэгъуа уэсыр къытрилъхьащ. Мис аргуэруи зэIущIэм и япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ ар иухыхукIэ уэлбанэ иныр увыIакъым. Абы и зэранкIэ, дауи, стадионым къекIуэлIар цIыху мащIэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, лъэныкъуитIри текIуэныгъэм хущIэкъуащ. Премьер-лигэм щIэбэнынухэм яхыхьэну Iэмал гъуэзэджэ къызэрыхукъуэкIар «Спартак-Налшыкым» къигъэсэбэпыну щIэхъуэпсырт. «Волгарь»-ми и къару псори ирихьэлIэрт етIуанэ дивизионым хуэзышэ иужь увыпIэр ибгынэну. Абы зэIущIэр хуабжьу удэзыхьэх ищIащ. Уэлбанэ зэкIэлъхьэужьым хьэлъэ ищIа джэгупIэ губгъуэм нэхъ щIэхыу хьэщIэхэр есащ. Абыхэм топыр псынщIэу зэIэпахырт икIи щIэх-щIэхыурэ ди гъуащхьэхъумэхэр къызэранэкIырт. А дакъикъэхэм мызэ-мытIэу «Спартак-Налшыкыр» къригъэлын хуей хъуащ абы и гъуащхьэтет Коченковым. Ди щIалэхэм къыхэжаныкIыну Iэмал щагъуэтар сыхьэт ныкъуэ дэкIа нэужьщ. АрщхьэкIэ ари къахуэгъэсэбэпакъым. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIи «Волгарь»-р нэхъ жыджэращ. УщIэгузэвэн щыIэт «Спартак-Налшыкыр» абы пэмылъэщыну. Iуэхум хэпщIыкIыу зихъуэжащ зыкъом щIауэ мыджэгуа Гъуэщокъуэ Арсен къахыхьа и ужь. А гъуащхьауэ ныбжьыщIэм хуабжьу жыджэру иригъэжьащ икIи лъэныкъуитIми иджыри къэс яхузэфIэмыкIар мыгувэу къехъулIащ. Къызэрихьэрэ дакъикъипщI фIэкIа дэмыкIауэ, ар лъэщу зэуа топым хьэщIэхэм я гъуащхьэтет Намашкэ Станислав (ари ди командэм нэхъапэм щыджэгуащ) къыхуегъэгъэзакъым. Бжыгъэр къызэрызэIуахам налшыкдэсхэр нэхъри тригъэгушхуащ. Дакъикъэ зыщыплI трагъэкIуэдауэ аращ абыхэм Iуэхур 2:0-м нагъэсыным. Джэгугъуэ еплIанэ хъуауэ зэкIэлъхьэужьу къыхэжаныкI Медведев Алексей аргуэру дигъэгуфIащ. ТопитIкIэ япэ зэрищам текIуэныгъэр я Iэрылъхьэу ди щIалэхэм къащигъэхъуащ. Апхуэдэу убэлэрыгъ зэрымыхъунум и дерс гъуэзэджэ «Волгарь»-м къаритащ. ЗэIущIэм и 81-нэ дакъикъэм Лукьяновс Иванс жыжьэу щыту лъэщу къызэуа топым Коченковыр хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ — ар гъуэм и плIанэпэ дыдэм дэкIащ. Джэгур иухыным иджыри зэман хъарзынэ иIэт. Налшыкдэсхэм къагурыIуэрт текIуэныгъэр яIэщIэкIынкIэ зэрыхъунур. Абыхэм я къару псори ирахьэлIэри, зы очко нэхъ мыхъуми Налшык изышыну къэбырсея хьэщIэхэр ирагъэкIуэтащ. Ар ехъулIэныгъэншэ хъуакъым икIи 87-нэ дакъикъэм Аверьяновым дигъэкIа топым «Спартак-Налшыкым» и текIуэныгъэр щIигъэбыдащ – 3:1. Абы и фIыгъэкIэ, ди щIалэхэр ещанэ увыпIэм къыщыхутащ икIи премьер-лигэм щIэбэнын папщIэ Iэмал хъарзынэ къахукъуэкIащ. АдэкIэ псори зэлъытыжар езыхэращ. Хуабжьу яфIэхьэлэмэту икIи дэрэжэгъуэ къариту зэIущIэм кIэлъыплъащ Сирием къиIэпхъукIыжа ди къуэшхэр. Ахэр «Спартак-Налшык» профессионал футбол клубым къригъэблэгъат. Иджы щыгъуазэ фыхуэтщIынщ адрей командэхэм иужьу ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм: «Урал» (Свердлов область) — «Сибирь» (Новосибирск) — 5:2, «Енисей» (Красноярск) — «Томь» (Томск) — 1:1, «Металлург-Кузбасс» (Новокузнецк) – «Ротор» (Волгоград) – 2:1, «СКА-Энергия» (Хабаровск) – «Салют» (Белгород) – 0:3, «Нефтехимик» (Нижнекамск) – «Балтика» (Калининград) – 1:0, «Шинник» (Ярославль) – «Химки» (Мэзкуу область) – 0:1, «Петротрест» (Санкт-Петербург) – «Торпедо» (Мэзкуу) –1:0. КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» Белгород къалэм щригъэкIуэкIынущ. Мэлыжьыхьым и 16-м ар абы щыIущIэнущ щIыпIэ «Салют»-м. Жыласэ Заурбэч. ЗэIущIэ нэужьым Газзаев Юрий, «Волгарь»-м и тренер нэхъыщхьэ: «Спартак-Налшыкыр» гуп зэкъуэтщ — Джэгум и япэ Iыхьэм арэзы сыкъищIащ. ФIыуэ зытхъумэжащ, Iэмал щыдиIэми дебгъэрыкIуащ. Ди гъуэм топ къыдагъэкIыну налшыкдэсхэм зы Iэмали еттакъым, уеблэмэ япэ дищыфыну щытащ. ЕтIуанэ Iыхьэм детIысэхащ икIи псынщIэу топ къызэрытхудагъэкIамрэ абы и ужькIэ кIэщIу етIуанэри къызэрыкIэлъыкIуамрэ ди лъэр щIигъэхуащ. «Спартак-Налшыкыр» гуп зэкъуэтщ икIи премьер-лигэм зэрыхэтам ипсыхьащ. Аращ ар иджыри хуэфащэу пашэхэм щIахэтыр. Фи лъахэгъу Мэшыкъуэ Аслъэн хъарзынэу джэгуащ. Нобэрей зэIущIэм и футболист нэхъыфIхэм ящыщ зыуэ ар къызолъытэ. Шыпш Тимур, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ: Къалэн пыухыкIахэр догъэзащIэ — ЗэIущIэр щIагъуэу щIэддзакъым. ИбгъухэмкIи икуми ебгъэрыкIуэныгъэ щыIакъым. ЕтIуанэ Iыхьэм едгъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм текIуэныгъэр къытхуахьащ. Джэгум хъарзынэу занщIэу хэзэгъащ Гъуэщокъуэ Арсен, ар игъэлъэщащ Коронов Игорь. ТекIуэныгъэм хуабжьу дыщогуфIыкI. Джэгур хьэлъащ, ар губгъуэм и щытыкIэм нэхъ гугъуж ищIащ. «Волгарь»-р къыдэкIуэтеижыну хущIокъу, дэри къалэн пыухыкIахэр догъэзащIэ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26748.txt" }
ХьэтIохъущыкъуей хадэм я гукъыдэжыр къыщаIэт Мэлыжьыхьым и 7-м Налшык и ХьэтIохъущыкъуей хадэм щекIуэкIащ щIалэгъуалэр куэду зыхэта физзарядкэ. 1950 гъэм къыщыщIэдзауэ ягъэлъапIэ Узыншагъэм и дунейпсо махуэм теухуа а Iуэхугъуэр къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIалэгъуалэ центрымрэ «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэмрэ. Пщэдджыжь зарядкэм цIыхуи 100-м щIигъу кърихьэлIащ. Абыхэм къахыхьащ къэзыжыхьыну ХьэтIохъущыкъуей хадэм ихьахэри. Тренер, Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ Олимп командэ къыхэхам хэт, бжы дзынымкIэ спортым и мастер Артамонов Артур и нэIэм щIэту, акцэм кърихьэлIахэм узыншагъэмкIэ сэбэп упражненэхэр ящIащ икIи гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ ягъуэтащ. Зарядкэ нэужьым абы хэтахэр къызэгъэпэщакIуэхэм я саугъэтхэм щIэбэнащ. НыбжьыщIищым MP 3-плеерхэр яритащ «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ» зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и унафэщI Нэзрэн Беслъэн. «Мы зэхыхьэр теухуащ щIалэгъуалэр гъащIэ узыншэм хуэунэтIыным, апхуэдэ нэгузегъэужь, зыгъэпсэхугъуэ Iуэхум нэхъри жыджэру къыхэшэным», — къыхагъэщащ пщэдджыжь зарядкэм и къызэгъэпэщакIуэхэм. ИпэжыпIэкIэ нэгузыужьу, гукъыдэжыр къызэщIигъэрыуэу зэрекIуэкIам къыдэкIуэуи, кърихьэлIахэр нэхъ гъунэгъу, нэхъ зэхуэгуапэ зэхуищIащ а зэхыхьэм. ЗэрыжаIащи, къызэгъэпэщакIуэхэм я мурадщ щIалэгъуалэм узыншагъэм и лъапIагъыр зыхрагъэщIэным, физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ гупыж хурагъэщIыным, гъащIэ узыншэм къыхуеджэным нэхъри зрагъэубгъуну. Абыхэм къызэрыхагъэщамкIэ, ХьэтIохъущыкъуей хадэм апхуэдэ пщэдджыжь Iуэхугъуэхэр мазэ къэс щекIуэкIынущ. Ар узыншагъэр гъэбыдэнымкIи сэбэп хъунущ, къекIуалIэхэм я гукъыдэжри къэзыIэтынщ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26754.txt" }
Зым и гуауэ зыхэзымыщIэм лъэпкъ бампIи фIэIуэхукъым Мы псалъэхэм девгъэгупсыси, Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэу нобэ гулъытэ хуэныкъуэхэм зэрытлъэкIкIэ дадэвгъэIэпыкъу! Зэман гуэр и пэкIэ ди газетым теддзауэ щытат Сирие Хьэрып республикэм къикIыжауэ Налшык санаторэхэм, унэ щхьэхуэхэм, КъБКъУ-м и общежитхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я унэцIэхэр. Быдэу ди фIэщ хъурт я унэкъуэщ, я благъэ къагъуэтыжыну, ядэIэпыкъуну жэрдэм зыщIынухэр зэрымымащIэнур. Дызэригугъам хуэдэуи къыщIэкIащ: абы лъандэрэ цIыху куэд къэпсэлъащ, я лъэпкъэгъухэм я хэщIапIэхэр зрагъащIэурэ гуапэу ядэIэпыкъуащ. Абыхэм ящыщщ Хьэпэхэ, КIуащхэ, Къущхьэхэ, Емузхэ, нэгъуэщIхэри. Мы Iуэхум еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр хуаIэщ ди цIыхухэм. Языныкъуэхэм жаIэ: «Сирием щекIуэкI зауэ мафIэм къыхэкIыфащи, Тхьэм шыкур хурыращI, щыщIэныгъэхэри ирырашэч». НэгъуэщIхэми яхузэфIокI шэм хуэдэу гум техуэ псалъэ жагъуэхэр къэкIуэжахэм зэхрагъэхын. «Лъэпкъым и напэр зы лIым трехыф икIи къеIэтыф», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. Гуауэ куэд зи нэгу щIэкIауэ адэжь хэкум къэзыгъэзэжахэм я дежкIэ гухэщIщ икIи къемызэгъщ абыхэм я жагъуэ пщIыну. Хэхэс гъащIэр зи щхьэкIэ зыгъэунэхуа балъкъэрхэм псэкIэ зыхащIэ ди лъэпкъэгъухэм къатепсыха гуауэр, абыхэм ящыщ куэд адыгэхэм ящIыгъуу щIэгъэкъуэн яхуэхъуащ къэзыгъэзэжахэм. «Джайлык» зыгъэпсэхупIэ унэм щIэсхэм сом мини 100-кIэ яхуэупса балъкъэр цIыхубзхэм (ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм я цIэ-унэцIэхэр къытхуэщIакъым) фIыщIэ ин яхуэфащэщ. «ХьэщIэр нэщхъеймэ, бысымым и ягъэщ», — жаIэ. Ди лъэпкъэгъу къэIэпхъуэжахэр хьэщIэу плъытэ мыхъунуми, гурыIуэгъуэщ ахэр гулъытэ зэрыхуэныкъуэр, я лъахэм я гур щагъэтIылъу лъэ быдэкIэ увын папщIэ. Уджыхъу Адыл Налшык къызэрыкIуэжрэ илъэсым нэсащ. А зэманым къриубыдэу абы псэупIэ зыбжанэ зэблихъуащ, нобэ къалэм дэт зыгъэпсэхупIэ унэхэм языхэзым и унагъуэр щопсэу. И къуэ нэхъыжьыр Адыгей къэрал университетым и студентщ, нэхъыщIэр школакIуэщ, и щхьэгъусэр лэжьыгъэ IэнатIэ зэрыпэрыувэрэ тхьэмахуитIым щIигъуауэ аращ. Я Iуэху зытетымкIэ сыщеупщIым, Адыл и гур нэхъыбэу зыгъэпIейтейхэм я гугъу къысхуищIащ: — Сэ ухуакIуэ IэщIагъэ сиIэщ: и лъабжьэм щыщIэдзауэ унащхьэр теслъхьэжу унэ схуэухуэнущ. Уэздыгъэри щIызошэф. Лэжьыгъэ зэм согъуэт, щызимыIэр нэхъыбэщ. Налшык сабийхэм папщIэ щыIэ стадионым иджыблагъэ сыщылэжьат. Ди гъусэу къэкIуэжа студент щIалэхэм ахъшэ тIэкIу къайзгъэлэжьынщ, жысIэри здэзгъэIэпыкъуурэ, сыкъызэрагъэгугъа сом мин 30-м щыщу 18-р абыхэм ястащ, къэнэжа мин 12-р къызамыту сыкъыIуагъэкIыжащ. Абы и ужькIэ Кэнжэ щыщ адыгэ унагъуэ гуэрым плиткэ яхуислъхьат. Иджы щыIэ уасэхэм елъытауэ нэхъ пуду дызэгурыIуат, ауэ зэдухылIа сом 500-м и пIэкIэ метр зэбгъузэнатIэм хуэзэу сом 350-рэщ къызатар. Дызыщыпсэу санаторэм мазэкIэ дагъашхэри, щагъэтыжащ. Абы лъандэрэ дэ допщэфIэж. Хьэкъущыкъу къэтщэхуахэр пщэфIапIэм къыщIэднэрти, узбекхэм зы гуахъуи къамыгъанэу щIадыгъукIащ. ЩIэрыщIэу зэдгъэпэщыжын хуей хъуащ. Гулъытэ къытхуэзыщIхэр мащIэкъым. Зэи тщыгъупщэнкъым ди шыпхъухэм, ди къуэшхэм ди гур фIы къызэрытхуащIыр! Ауэ дэ игъащIэкIэ зыгуэрхэм дащыгугъыу дыпсэуфынукъым, дылажьэрэ ди щхьэр тпIыжу дыпсэуну дыхуейт. IэнатIэ хэплъыхь тщIыркъым: щIым дытелэжьыхьыфынут, Iэщ, джэдкъаз зетхуэфынут, къэкIыгъэ дгъэкIыфынут. Ди лъэпкъыр зэрыгушхуэн блэкIарэ тхыдэрэ иIэщ. АбыкIэ дэ зыми дехъуэпсэнукъым. Апхуэдэ дыдэу тхыдэм къыхэнэнурэ къыткIэлъыкIуэну щIэблэр щIапIыкIынущ нобэрей ди IуэхущIафэхэм, ди зэхэтыкIэ-зэхущытыкIэхэм. «Зым и гуауэ зыхэзымыщIэм лъэпкъ бампIи фIэIуэхукъым», — жаIэ. Мы псалъэхэм девгъэгупсыси, нобэ гулъытэ хуэныкъуэ ди лъэпкъэгъухэм зэрытлъэкIкIэ дадэвгъэIэпыкъу! ЩОДЖЭН Iэминат, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ. «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм я лъэIукIэ иджыри зэ тыдодзэ Сирие Хьэрып Республикэм къикIыжауэ Налшык санаторэхэм, унэ щхьэхуэхэм, КъБКъУ-м и общежитхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я унэцIэхэр: 1. Абазэ 2. Абыдэ 3. Акъой 4. Анчокъу 5. Арэ 6. Апыщ 7. Аулъэ 8. Абей 9. Ацумыжь 10. Бэлагъы 11. Бахъуэ 12. Багъ 13. Бекъщокъуэ 14. Батырдэгу 15. Бекъул 16. Бэджмыкъуэ 17. Бэчыкъуэ 18. Быж 19. БэшкIур 20. Бидэнокъуэ 21. Вындыжь 22. Вэрокъуэ 23. Гемуев (и анэр КIэрэфщ) 24. Гъыш 25. ГъукIэлI 26. Дыгъужь 27. Дэпчэн 28. Джырандокъуэ 29. ДыщэкI 30. Джэху 31. Дэдэхъу 32. Джэтауэ 33. Джэрыкъу 34. Джэмокъуэ 35. Дзыбэ 36. Едыдж 37. Емуз 38. Ездэч 39. Елджэрокъуэ 40. Емызэкъуэ 41. Жылэхьэж 42. Къабло 43. Къардэн 44. Къамбий 45. Къанщауэ 46. Къат 47. Къуэщ 48. Къарэ 49. КIэрэф 50. Кхъуэныхь 51. КIэдыкIуей 52. Къаздэхъу 53. Къумыкъу 54. Къэбардэ 55. Къущхьэ 56. КIэрмыт 57. КIуащ 58. ЛIэужь 59. ЛIымахуэ 60. ЛIыгуащэ 61. Лъапсэрыкъуэ 62. ЛIыбзу 63. ЛIыIэщын 64. ЛIыIэщ 65. ЛIыщIэ 66. ЛъэнкIэпIашэ 67. МахуэлI 68. Мэхъуэш 69. Молей 70. Мэшокъуэ 71. Мэшфыжь 72. Мэт 73. Нэхей 74. Нэпсыгъуэ 75. ПащIэ 76. Понэж 77. Санэ 78. Сапсын 79. Сэбанокъуэ 80. Сихъу 81. Сосмакъ 82. СтIащ 83. Сыжажэ 84. Сысэ 85. Тазит 86. Тау 87. Таучыжь 88. Тэгъулан 89. ТекIуий 90. Теувэж 91. Томыкъу 92. Толбий 93. Тыкъуэ 94. ТIыхъужь 95. Тхьэкъуахъуэ 96. ТIам 97. Уэтей 98. Уджыхъу 99. Учадж 100. ХьэпащIэ 101. Хьэмжу 102. Хьэжнэгъуей 103. Хьэджыбеи- къуэ 104. Хутэ 105. Хьэткъуэ 106. Хьэгъундокъуэ 107. Хьэсанэ 108. Хъан 109. Хъуадэ 110. Хъыжьрокъуэ 111. Хьэлауэ 112. Хьэпэ 113. Хъут 114. ХъутIэжь 115. Цей 116. Чым 117. Шэрджэс 118. Щхьэлахъуэ 119. Щауэ 120. Щауэжь 121. Шагудж 122. Щоджэн Фи унэкъуэщхэм, Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм сэбэп фахуэхъуну фыхуеймэ, мыпхуэдэ телефонхэмкIэ фыпсалъэ: 42-58-34 (Дунейпсо Адыгэ Хасэ); 47-22-65; 8928 6934817 (Къэбэрдей Адыгэ Хасэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26757.txt" }
ЩымыIа насыпым и джэрпэджэж МазитIкIэ фIэкIа дунейм темыта, Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэрэ урыс пащтыхь Иван ЕплIанэмрэ я къуэ Василий къыщалъхуа махуэр гъатхэпэм и 4-м хуозэ. И гъащIэ къэкIуэнумкIэ зэригъэубыдын хуея къуэпсхэр тIасхъащэу къызэрыщIэкIам и дамыгъэ хъуащ узытепсэлъыхьын хуэдиз ныбжь зимыIа сабийр. Къудамэ дзыхьщIыгъуэджэ Урыс пащтыхь Иван IV ЦIыхушхуэхэм уащIытепсэлъыхьын щхьэусыгъуэу щыIэр тIу мэхъу: абыхэм уадэплъеину, я IуэхущIафэхэр уигу къэбгъэкIыжурэ уи Хэку, уи жылэ, уи лъэпкъ я гъуэгуанэм лъэужь узыншэ къытебнэн гукъыдэжыр кърибгъэщIэрэщIэжыну. Е, я цIэр жыжьэ Iуами, ахэр щапхъэ зытехыпхъэу щымытмэ, яхуэдэ узэрымыхъуным ухущIэкъуну. Япэрей щхьэусыгъуэр къапщтэмэ, зэман зыхалъхуам елъытауэ, цIыхухъур нэхъ ягъэлъапIэ лIыгъэмрэ къарумрэ: хахуагъэр щыпхъаши щыщаби къохъу. Бзылъхугъэм и лъапIэныгъэр езым и закъуэ ехьэлIауэ щыщытыр закъуэтIакъуэххэщ: ар е пхъуфIщ, е шыпхъуфIщ, е щхьэгъусэфIщ, е анэфIщ. Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ дыщытепсэлъыхькIэ, дызэрыгушхуэ Iуэхугъуэри тIуащIэщ: 1. «И щхьэ хуигъадэу, урыс пащтыхьым адыгэпхъу щхьэгъусэ щищIакIэ, а зэманым Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ щхьэхуитыныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэхуэдэу щытащ». 2. «Иван ЕплIанэр адыгэ малъхъэу зэрыщытам и фIыгъэкIэ, илъэс 455-рэ хъуауэ лъэпкъышхуэм и Iэр «ди щхьэфэхэм щабэ къохъуэкI». Думэн Мурадин зы гушыIэ иIэщ, КIуэкIуэ Валерэ теухуауэ. Илъэс 60 зыгъэлъапIэ щIыналъэ гуэрым ирагъэблэгъа ди президентыр ягъэхъуэхъуэнути, бжьэ иту пластикэ стэкан къыIэщIагъэуват. ХъуэхъуэкIи гушыIэкIи зыщIэ лIыщхьэм IэщIэт стэканымрэ игъэхьэзыра псалъэ дахэхэмрэ хузэхуэмыгъэхъуу: «Уэ зи унагъуэрэ! Илъэс 60 хъуауэ зы кумбыгъэ тэмэм фхузэмыгъэпэщауэ ара?» — жиIэри хъуэхъупежьэкIэ къыщIидзат, жи. А гушыIэр уигу къегъэкIыж илъэс 455-м щIигъуауэ макъамэ зэхуэмыдэкIэ къидгъэкI Иванрэ Мариерэ я пшыналъэр. Къэбэрдей къэрал драмэ театрым Толстой Алексей и «Орел и Орлица» пьесэм къытращIыкIа «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» спектаклыр щокIуэкI. Къэрал Думэм къызэрилъытэмкIэ, Сирием ис адыгэхэр УФ-м и цIыхуу къэплъытэ хъунукъым, ахэр хэкум щикIа зэманым Къэбэрдейр Урысейм и Iыхьэу щытакъыми. УпщIэ къоув: илъэс 455-р зи дамыгъэу дызэлIалIэ тхыдэ къудамэм тхьэмпэ гуэр пытыж хьэмэрэ пхъэщхьэмыщхьэ куэд щIауэ къызыпымыкIэж жыгым псы щIэтIкIэрэ? А бжыгъэшхуэм, нэгъуэщI мыхъуми, зы илъэсищэ къыхэхыжын хуэмейуэ пIэрэ?.. Къэбэрдейр XVI лIэщIыгъуэм Урыс пащтыхь гуащэ Идар Гуащэнэ Тхыдэджхэр зэакъылэгъукъым адыгэ лъэпкъым и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ ябж пщы Инал къыздикIамкIэ. Нэгумэ Шорэ и хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, ар Византием икIыу Мысырым итIысхьа, иужькIэ я щхьэр зэрахьэурэ Кърымым, итIанэ Кавказым, адыгэхэм я Iэгъуэблагъэм, къэIэпхъуэу къахэшыпсыхьа Арап-хъан и къуэ Абдан-хъан и къуэпсым щыщщ. Езыхэм зыхужаIэжу зэрызэхахамкIэ, ахэр къурейш лъэпкъщ, хьэрыпхэм я къудамэ нэхъ къабзэм къахэкIащ. А еплъыкIэм утетмэ, «адыгэхэр Мысырым къикIащ» жыпIэми, «адыгэхэр Мысырым кIуэри, зэман дэкIа нэужь Хэкум къэIэпхъуэжащ» жыпIэми, захуэщ, ауэ Инал Ашраф мамлюк сулътIанымрэ Инал Нэхурэ зы цIыхукъым, ахэр зэлъэхъэнэгъуу щытауи зыщIыпIэ дежи ущрихьэлIэркъым. Нобэ зи гугъу тщIы Темрыкъуэ иужьрей тхыдэм къызэрыхэщыр джылахъстэнеипщущ. Ар я щхьэусыгъуэу кIахэ адыгэхэм — Къэбэрдейр, Къэбэрдейм — Джылахъстэнейр ягъэкъуаншэу къокъуэкI, лъэпкъым и къэралыгъуэ Iуэхур зэрытIасхъэм папщIэ. «Тхьэм ищIэрт зезыхуэр Идархэ Темрыкъуэ — урысыр Кавказым къишащ»,- дыкъыщоджэ Бещтокъуэ Хьэбас и иужьрей тхылъым. «Зехуэн» псалъэр усакIуэм хуэкIуэу къигъуэтащ: зи гугъу тщIы XVI лIэщIыгъуэр пщыхэри пащтыхьхэри зэхэзехуэн зыщIа лъэхъэнэт: нобэ зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж къэралыгъуэхэр пащтыхьыгъуэрэ пщыгъуэу утыку нэхъ къыщихьар абы щыгъуэщ. Адыгэхэми я лIакъуэ зэпэжыжьэхэм зы къежьапIэ зэраIэр а зэманым нэхъ IупщIу щыболъагъу. Щхьэгъусищ зиIа Инал пщыр дунейм ехыжа нэужь, и бынхэм щIыр зэпаубыдри, Тохъутэмыщ, ещанэ щхьэгъусэм и къуэр, лей ящIащ, и пщыгъэри къытрахащ. Абы къыщхьэщыжакIуэ хуэхъуащ Хъымыщ Елджырокъуэ ипIыжа и пхъурылъху Идар. Пщы Идар Темрыкъуэ и адэрэ и адэшхуэрэ гурыIуэгъуэкъым: Нэгумэ Шорэ и тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ, Инал и къуэ Инармэс къуитI иIауэ аращ — ПIытIурэ (е Битурэ) Мэремщауэрэ. Темрыкъуэ и адэм и цIэр Мэремщауэщ жызыIэ щыIэщ. Языныкъуэхэм Идар Инармэс и къуэу, адрейхэм — Тохъутэмыщ и къуэ Къырмыш и къуэу къалъытэ. КъардэнгъущI Зырамыку етх: «XV лIэщIыгъуэм и етIуанэрей Iыхьэм Абазэм къикIри абазэпщ Инал Нэф и къуэрылъхухэм я къуэжхэр, Инармэс и къуэ Идар я пашэу, Жанхъуэт и къуэ Талъостэнрэ Беслъэн ПцIапцIэрэ, Минболэт и къуэ Джылахъстэн сымэ дзэшхуэ я гъусэу къакIуэри, мы щIыпIэм щыIэ адыгэхэр джатэ ихакIэ къазэури «дэ дыпщщ» жари къащхьэщыуващ. ЩIыпIэр зэпагуэшащ: Идар — Шэрэдж псыхъуэрэ Бахъсэн псыхъуэрэ, Талъостэн — Урыху псыхъуэ къыщыщIэдзауэ Тэрч еуалIэу, Джылахъстэн Тэрч зэпрыкIри, абы щыпсэу адыгэхэм пщы зыхуащIащ». Къызбрун деж щаубла зауэ гуащIэм Идарым унафэр IэщIилъхьэпащ: Ди Къызбруным лъыпсае жагъуэхэр даушэ! Ди нарт шухэр IумпIэкIэ къызэрыдош. ХъымыщкIэ Елджырыкъуэ лIыхъу, Идарыр уи къан сэхъуащ. Темрыкъуэ Идар дунейм тетыху, Идарейр адыгэщIхэм я нэхъ лъэрызехьэу щытащ. КъыкIэлъыкIуэ щIэблэ гуэрыр зэгурымыIуэжу, иджы Темрыкъуэ Iыхьэншэ щыхъум, ар и адэ къуэш Джылахъстэн деж Iэпхъуэри, ар дунейм ехыжа нэужь, Тэрч щIыналъэм и тепщэ хъуащ. Зэманым зихъуэжыху, зылI къытехъукIа бынхэри нэхъ зэпэжыжьэ мэхъу: Инал и щIэблэр езыхэри зэрызэгурымыIуэм, ар къэзыгъэсэбэпыну къэхъуапсэ гъунэгъупщхэри щымыIэуэлъауэншэм, къыщхьэщыжакIуэ къалъыхъуэн щIадзащ. Зы гупым — ар Темрыкъуэрэ абы и лъэныкъуэр зыIыгъхэмрэщ — УрысеймкIэ загъэзащ. Мыдрейхэр — Къетыкъуэ ПщыIэпщокъуэ и гупыр — Кърымымрэ Тыркумрэ гъунэгъу зэрызыхуащIыным елIалIэхэрт. Къэбэрдейр зэгурымыIуэныгъэм текIуадэми, пщIэ зиIэ щIыналъэт: Темрыкъуэ ипхъу курыт Мэлхъурыб — Нэгъуеишхуэм и хъан Исмэхьил и къуэ Тинахъмэт иритащ. Къетыкъуэ ПщыIэпщокъуэ и пхъур — Нэгъуей ЦIыкIум и тепщэ, Исмэхьил къеныкъуэкъу пщы Къазий щхьэгъусэ хуэхъуащ. Исмэхьил дунейм ехыжу Тинахъмэт Нэгъуей хъанышхуэ хъуа и ужькIэ, Урысеймрэ Нэгъуей Хъаныгъуэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэж мэхъу: Иван ЕплIанэм и малъхъэгъуми и щыкъу хъыджэбзми яхуригъэхьу щыта тхыгъэхэр яхъумащ. Пащтыхь Иванрэ Марие гуащэрэ къащIэмыхъуа Василий сабийм елъытауэ, тхыдэм нэхъ ихъумащ Тинахъмэтрэ Мэлхъурыбрэ я къуэ Иштерек и IуэхущIафэхэр. Хъаныгъуэр къылъыса нэужь, Темрыкъуэ и нэгъуей пхъурылъхум «хитI зэхуакуми КъуэкIыпIэмкIи КъухьэпIэмкIи Мэзкуум хуэпэж Нэгъуей Хъаныгъуэм фIэкIа щымыIэу» къэралыгъуэ лъэщ иухуэну и ужь итащ, Нэгъуей ЦIыкIум щIэх-щIэхыурэ ебгъэрыкIуэу. АрщхьэкIэ къалмыкъхэр къатеуа нэужь, лъэпкъыр къарууншэ хъури, хуэмурэ дэхуэхащ. Тхыдэжьымрэ тхыдэщIэмрэ Мамсрыкъуэ Гуащэнэ Грознэм щхьэгъусэ зэрыхуэхъуа щIыкIэми абы и щхьэусыгъуэми мызэ-мытIэу дытетхыхьащ. Ауэ, демократием и Iэужьу, махуэ къэс нэхъ нэхушхуэ зытридзэ тхыдэм и напэкIуэцI бзыщIа-къыщIэщыжахэм зэгъэзэхуэжын хуей гуэрхэр зэрыщыIэмкIэ гурыщхъуэ уагъэщI. УпщIэ псоми жэуап тхуемытми, абыхэм языхэзхэр умыгъэувыныр нобэрей щIэныгъэми захуагъэми къезэгъыжыркъым. Япэ дыдэу урыс пащтыхьу теува Иван ЕплIанэр узыдэплъеин хуэдэ цIыхуу зэрыщымытар урыс тхыдэджхэми ябзыщIыжыркъым, нобэ школым кIуэ еджакIуэхэми ящIэ. Пащтыхь щыхъукIэ, абы и зэманым къэхъуа псори тхылъхэм зэгъэзэхуауэ ихуащ, зи чэзу унафэщIым и фейдэ зэрыхэлъым хуэдэу. Хэбгъэзыхьмэ, зэманым зэригъэзэхуэжыр а тхыгъэхэращ, армыхъумэ теплъэкIи, хьэлкIи, Iуэху зехьэкIэкIи гурымыхьу щыта пащтыхь залымым ехьэлIахэракъым. Дауэ-тIэ Iуэхум зэрыбгъэдыхьэпхъэр? «Иван ЕплIанэм дэ худиIуэхуIакъым, ди пхъур пащтыхь гуащэу зэрыщытам деж Iуэхур щыщIедзэ икIи щеух» — аращ иджыри къэс дызытета бгъэдыхьэкIэр. Ауэ «ди пхъум» теухуауи диIэ щIэныгъэр нэгъэсакъым, Налшык и курыкупсэм ит, Шэру Соня тращIыкIа и фэеплъым Гуащэнэ къызэримыгъэлъагъуэм хуэдэ дыдэу, мы унагъуэм теухуауэ къекIуэкI хъыбархэр тхыдэ щыхьэт мыхъуу, Iуэху еплъыкIэ къудейуэ къонэ. Зы унагъуэм зэдис цIыхухэм щатепсэлъыхьым деж, щхьэж къызыфIигъэщIыр езым игъэунэхуа Iыхьлы зэдэпсэукIэщ. Грознэмрэ Мариерэ я гугъу щытщIым дежи, къызыфIэдгъэщI хабзэр хабзэкIэ зэдэпсэу зы цIыхухъурэ зы бзылъхугъэрэщ: псэуну илъэсий фIэкIа къыхуэмынэжами, Темрыкъуэ и пхъум и натIэ итыр и напэр къабзэу ирихьэкIащ. Дэ нэгъэсауэ дыщыгъуазэкъым Марие зыхуэдэу щытам: политикэм къыбгъэдэхыгъуей тхыдэр лъэхъэнэщIэ къэс езым и фейдэ зэрыхэлъым хуэдэу къегъэсэбэп. Ауэ упщIэ дгъэувам жэуап гуэр хуэхъун хуэдэу, урыс тхыдэджхэм дэ дыщIэгушхуэ Iуэхугъуэр къызэрагъэлъагъуэми деплъынщ. Урыс щIэныгъэлIхэм Марие къазэрыщыхъур Карамзин Николай: Симеон Бекбулатович Иоанн и етIуанэ къэшэгъуэм, япэрейм хуэдэу, Iэужь насыпыфIэ иIакъым. Марие дахагъэ къудейкIэ щхьэгъусэр итхьэкъуами, пащтыхьым игуми, пащтыхь гуащэм и цIэ къипIуэкIэ пащтыхь нэмысыр зи нэгу къыщIэмыхьэж цIыхубэм я дежи ар Анастасие и пIэ щиувэфакъым. ЗыцIыхуахэм зэратхыжымкIэ, мы адыгэ джыназыпхъур цIыху Iэлт, псэкIэ гущIэгъуншэт, Иоанн и хьэл мыхъумыщIэхэр хуигъэдахэ пэтми, и лъагъуныгъэр хуэмыхъумэу псынщIэу къыIэщIэужэгъуащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, пащтыхьым щIэщыгъуэм и IэфIыр зыхищIакIэт, укIыти хэлътэкъым. Марие хуэгущIыIуэу, Анастасие иджыри илъэсиблкIэ Афон къулъшырыфхэм сэдэкъэ щыхуигуэшу щытащ. Костомаров Николай, урыс тхыдэтх цIэрыIуэм, къызэрилъытэмкIэ, Иван зыкъызэкъуипхъуэту адыгэ пщащэр щIишар лъыхъу здигъэкIуа лыхь пащтыхьым и пхъур къызэрыримытам щхьэкIэ хурикъун папщIэт. Костомаров Николай: Сигизмунд Август пащтыхьым лъыхъу къыщыхуэкIуэм, Мэзкуу пащтыхьым и щхьэр течауэ «хьэуэ» жриIатэкъым, ауэ щхьэусыгъуэ гуэрхэр къигупсысащ: Псков, Смоленск, Новгород, ИщхъэрэщIхэм щыщ Iыхьэхэр Урысейм щыщу къратыпхъэу къилъытащ. ГурыIуэгъуэт абы зэпыщIэныгъэ мыхъуу, биигъэ къызэригъэушынур. Арати, абы хурикъун папщIэ, лыхь пащтыхьыпхъур зыщигъэгъупщэри, Иван 1561 гъэм шыщхьэIум и 21-м адыгэпщ Темрыкъуэ и пхъур, жор пщIэхалъхьа нэужь, чыристаныцIэу Марие зыфIащыжар, къишащ. Пащтыхь гуащэщIэм и дэлъху Михаил, щIалэ IэубыдыпIэншэ нэмысыншэр, пащтыхьым и IупэфIэгъухэм ящыщ хъуащ. Мы нэчыхьым Иваным ифI къекIакъым, къекIынкIи Iэмал иIэтэкъым. Пащтыхь гуащэр цIыхухэм ягу къызэринэжар цIыхубз бзаджэущ. Владимир Куковенкэ, тхакIуэ-тхыдэдж: Адыгэхэр зауэлI лъэпкъыу щытами, иджыри зэрымыубыда лъэпкъ къулейсызт а зэманым. Абыхэм япщхэм я лъэпкъэгъу нэхъ къызэрыгуэкI дыдэм хуэдэу захуапэрт, зыщIэс унэкIи къащхьэщыкIхэртэкъым. Тхыбзи, пщIэ гуэр зыхуэпщIын щэнхабзэшхуи яIэтэкъым. Мылъку бгъэдэлъыр къапщтэмэ, Темрыкъуэ урысыпщ нэхъ мыхьэнэншэм хуэдэт. ИхъуреягъкIэ бий лъэрызехьэхэм дакъузауэ — дагъыстэнхэм, нэгъуейхэм, Къэжэрым, Куржым, Кърымым — адыгэхэм я гъащIэр тхьэмыщкIэ дыдэу ирахьэкIырт. Абыхэм Кърымым цIыхурэ ахъшэкIэ къуэды иратын хуей хъурт. АбыкIи замыгъэнщIу, кърым тэтэрхэр щIэх-щIэхырэ адыгэхэм къебгъэрыкIуэрт. ЯлъэкI къагъанэртэкъым дагъыстэнхэми нэгъуейхэми. Езы адыгэхэри лъэпкъ-лъэпкъкIэ зэзэуэжхэрт. А псор къапщтэмэ, пащтыхьым и щхьэгъусэ къыхэхыкIар къехъулIауэ пхужыIэнукъым. Политикэ и лъэныкъуэкIэ мыр къэшэкIэ хъуакъым жыхуаIэм хуэдэт. ИтIани ар къэхъуащ. Ауэ дауэ? Девгъэплъыт нысащIэр къэзышахэм? Урыс дэфтэрхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, лIыкIуэхэм пщы Черкасский Михаилрэ тэтэр пащтыхьыкъуэ Бекбулатрэ яхэтщ. Черкасский Михаил Темрыкъуэ и къуэ дыдэт, 1558 гъэм Мэзкуу къэкIуауэ. Чыристан хъун и пэкIэ, абы Салтанкъул и цIэу щытащ. Бекбулат Къэзан пащтыхьыкъуэт, Темрыкъуэ ипхъу Алтыншаш и щхьэгъусэт. Бекбулат и етIуанэ щхьэгъусэ Дюнчеманри Темрыкъуэ и Iыхьлы гъунэгъухэм ящыщ адыгэ пщащэт. Аращи, нысашэр зэблагъэхэр зэкIэлъыкIуэ хуэдэу къызэгъэпэща хъуат. Мураду яIэри зы закъуэт — езыхэм пащтыхь сэрейм щаIэ къарур щагъэбыдэну. Мы хъыбар кIэщIхэмкIи уолъагъу муслъымэн лъэпкъхэм я Iыхьлы зэпыщIэныгъэр зэрыбыдэр. Тэтэрхэм, нэгъуейхэм, адыгэхэм япщхэр зы унагъуэшхуэу зэрыIыгът, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIи, ахэр зэгурыIуэри, Иван ЕплIанэм езыхэм зыхуейр кърагъэшауэ аращ. Гуащэнэ пащтыхь гуащэ зэрыхъуу, пащтыхьым и хъуреягъыр зэрыщыту муслъымэн защIэ хъури, Романовхэ ирагъэкIуэтэкIын щIадзащ. Абдежым щыщIедзэ къуэкIыпIэ-кавказ лIакъуэхэм я тепщэныгъэм. Тхыдэм щыцIэрыIуэщ Алтыншаш Грозный Иван емызэгъыу къэралым икIауэ щыта Курбский Андрей къыхуитхауэ щытахэр. Курбскэм пащтыхьыр игъэкъуаншэрт и щыкъухэр тепщэ зэрищIамкIэ. А гукъеуэр къыхощ урыс лъэпкъ уэрэдыжьхэм языхэзми: «Пащтыхьым ди Мэзкуу къыщимышэу, хамэ щIыпIэ нысащIэ къреш». ГъэщIэгъуэнщ дуней псом зи тхыдэ романхэмкIэ щыцIэрыIуэ, зи адэкIэ «черкесогайхэм» — адыгэ чыристанхэм — къахэкIа франджы тхакIуэ Труайе Анри «Иван Грозный» тхылъым щыжиIэри. Труайе Анри: ХьэгъуэлIыгъуэр 1561 гъэм шыщхьэIум и 21-м екIуэкIащ. МахуиплI и пэкIэ Иван илъэс щэщIрэ зырэ ирикъуат. Пащтыхьыр хьэгъуэлIыгъуэм къыкIэлъыкIуэ махуэм хущIегъуэжащ ищIам: щIэныгъэм хуэхейуэ, лей мыгъэгъуу, Iэлу щыт джыназыпхъум и хэкур зыщигъэгъупщэфыртэкъым, и къуэкIыпIэ гъэсэныгъэри сэбэп хъуртэкъым ар пащтыхьым и бынхэм анэ яхуэхъунымкIэ. Малъхъэм и шыфэлIыфэр Ди нобэм къызэрысамкIэ, Иван ЕплIанэм члисэм и хабзэкIэ щхьэгъусищ иIащ, хабзэм къемызэгъыу иджыри плIы. Абыхэм ящыщу и ажалкIэ дунейм ехыжауэ ябжыр пащтыхьым нэхърэ илъэсищкIэ нэхъыбэрэ псэуа ебланэ щхьэгъусэращ. Щыкъум нэхърэ нэхъыфIу щауэр зылъагъупхъэ урыс тхыдэджхэм жаIэр зэхуэпхьэсыжыну ущыхуежьэкIэ, нэрылъагъу мэхъу езыхэр щыпсэуа лъэхъэнэм елъытауэ, абыхэм пащтыхьым къыщхьэщыжхэри къыщIэзыгъэщыпэхэри зэрахэтыр. ЩIэныгъэлIхэм жаIэр зы адыгэ псалъэм къизгъэтIэсэнщ жыпIэмэ, пащтыхьыр «щIагъуэтэкъым». Урищхьэгъусэныр насыпу къэплъытэн дэнэ къэна, Гуащэнэ Тхьэм и нэфIыр къыщыхуауэ жыпIэ хъунущ, абы илъэсий фIэкIа дэмыпсэууэ дунейм зэрехыжам щхьэкIэ. ЕхьэкI-нехьэкIышхуэ зыхэмылъыж иджырей тхыдэ еплъыкIэкIэ, Иван ЕплIанэм и шыфэлIыфэр «хьэщхьэрыIуэ» жыхуаIэ цIыхум и жыпхъэм йозагъэ. Пэжщ, ар узым и Iэужьу, а узри и сабиигъуэ зэIумыбзым кърикIуауэ ябж. Дэри пащтыхьыр дгъэкъуаншэу аракъым, къэхъуар къэхъуакIэщ. Ауэ ди лъэпкъыр абы IыхьлагъкIэ пыщIар пэжмэ, ди зыгъэщIэгъуэкIэр Хъуэжэ и къудамэ тесыкIэм емыщхьу пIэрэ жыдоIэри аращ. Япэ дыдэу фыз къыщишам Иван ЕплIанэр илъэс пщыкIублым итт. Захарьинэ Анастасие пащтыхьым илъэс 13-кIэ дэпсэуащ. Ар цIыхубз щабэу щытауэ къаIуэтэж, къыщIыхихари зэрыIэдэбрат. ЗэрыжаIэжымкIэ, пащтыхьым нысащIэ Iэсэлъасэр апхуэдизкIэ игу дыхьати, и хьэл мыхъумыщIэхэр зыхинри пщIэрэ нэмысрэ зэрихьэу тхьэмахуитIкIэ псэуащ, иужькIэ зытетам техьэжащ. Анастасие илъэс 30-ми нэсакъым, 1560 гъэм шыщхьэIум и 7-м дунейм ехыжащ, щхъухь ирахьауэ хуагъэфащэу. Гуащэнэ етIуанэ щхьэгъусэт. Абы и ужькIэ пащтыхьым къишар Собакинэ Марфэ урыс пщащэрщ. ЦIыхубзыр хьэгъуэлIыгъуэ нэужьым тхьэмахуэ бжыгъэкIэ псэуауэ аращ, ар зыгъэлIауэ зыхуагъэфащэхэм езы пащтыхьри, Гуащэнэ и дэлъхури хохьэ. ЕплIанэм, Колтовская Аннэ «и Iуэху нэхъ къикIащ». ПсынщIэу пащтыхьым къыIэщIэужагъуэри, ар къулъшырыфым щIагъэтIысхьащ, абы илъэс щэ ныкъуэкIэ щыпсэужащ. Долгорукая Марие гурыщхъуэ къыхуащIхэм кърикIуэу щIымахуэу мыл пхыудам храгъэтхьэлыхьащ. Васильчиковэ Аннэ мазищ фIэкIа пащтыхьым дэмыпсэууэ дунейм ехыжащ. Мелентьевэ Василисэ пащтыхьым и нэфI щыщыхуам хэт бынитI зиIэ фызабэу щытауэ жеIэ, и лIыр опричникхэм яупщIэтауэ, хэти, илI Никитэ щхъухь зыхэлъ шагъыр ирагъафэу, Василисэ пащтыхь гуащэ зэрыхъун гъуэгур хуит хуащIауэ яIуатэ. ИлъэситIкIэ пащтыхьым дэпсэуа нэужь, аргуэрыр гурыщхъуэм къыхэкIыу псэууэ щIатIащ. Иужьрейуэ пащтыхь гуащэ хъуа Нагая Марие и адэм куэдрэ елъэIуауэ жаIэ Иван иримытэну. АрщхьэкIэ и натIэм итыр гъунэгъути, IэщIэкIакъым. Пащтыхьым абы дигъуар зэрынэщхъеирилэрат. Мы цIыхубзыр къиша нэужь, езы Иван илъэсищ псэужауэ аращ, ауэ я нэчыхьыр члисэм къабыл имыщIахэм ящыщщ. ЦIыхум и лIэкIэм и дуней тетыкIэр къегъэлъагъуэ жаIэ. Илъэс 53-рэ фIэкIа мыхъу Грознэр дунейм щехыжам, лIыжь кхъахэу фэ тетт, и Iэпкълъэпкъыр и псэукIэм кърикIуа уз зэрыцIалэм иубыдарэ къыкIэрих мэ гурымыхьым убгъэдимыгъэхьэу. Скрынников Руслан: Япэ щхьэгъусэм ейуэ Иван ЕплIанэм быних иIащ, абыхэм ящыщу щыр сабийуэ дунейм ехыжащ. Аннэрэ Мариерэ илъэс иримыкъу хъухущ зэрыпсэуар. Дмитрий-пащтыхьыкъуэр мазэ еханэм иту къулъшырыфым здахьауэ къыщахьыжым, сабийр зыIыгъ дэгызэр зэрыс гуимэр псым хэхуэри, щIалэ цIыкIур псы щIыIэм къелакъым. Тхыдэми гъуазджэми хэIущIыIу щыхъуащ Иван ЕплIанэм и къуэ Иван зэриукIыжар. Щхьэусыгъуэ хъуар лIэужьыгъуэ куэду кърахьэкI, ауэ мыр пащтыхьым къыIэщIэщIа гузэвэгъуэт, къытехьэ зэриIэм къыхэкIыу. И гуэныхьыр къыхуэгъуну и фIэщу тхьэ елъэIуу зэманышхуэ зэригъэкIуами ар къегъэлъагъуэ. Мелентьевэ Василисэ дигъуэта Дмитрий-пащтыхьыкъуэр Грознэр дунейм ехыжа нэужь и анэм и гъусэу къулъшырыфым щыпсэуащ, иужькIэ пщIэ пылъу къыщIашыжат, ауэ унафэр къылъагъэсакъым, хабзэм тет нэчыхь зэрамыIам къыхэкIыу. Иванрэ Мариерэ Мэлхъурыб Марие пащтыхь сэрейм щрихьэкIа илъэсийр зыхуэдар уи нэгу къыщIэбгъэхьэну гугъукъым, а лъэхъэнэм теухуауэ къэна тхыгъэхэм уахэплъэмэ. УкъэзыгъэуIэбжьу Иван ЕплIанэм далъагъухэм ящыщт ар зэман-зэманкIэрэ чыристан хьэщыкъыу, щIэныгъэ гуэрхэри бгъэдэлъу, ауэ и IуэхущIафэкIэ цIыху икIэ дыдэхэм я псэукIэ къигъэлъагъуэу зэрыщытар. ИщхьэкIэ зи тхыгъэ къэтхьа тхыдэдж Скрынников Руслан зэрыжиIэмкIэ, Грознэр Марие апхуэдизкIэ хуэгущIыIэти, ар къишэн и пэкIэ кърамыта лыхь гуащэм щIэупщIэрт, «си къэшэн Екатеринэ» хужиIэу, Марие иригъэкIыжу ар къишэну и мурадт иджы нэгъуэщI IэмалкIэ. Иван зыхуей уэрэдыр къришырт Урысейм зыкъыпызыщIэну хуей Швецием и пащтыхь Эрик XIV, ауэ щыхъукIэ, езы Ягеллон Екатеринэ Эрик и къуэш Юхан Ещанэм и щхьэгъусэт. А щапхъэхэми, къипIуэну къемызэгъ нэгъуэщI куэдми къагъэлъагъуэ мывэ тхылъымпIэр лъагэу Iэтауэ иIыгъыу Налшык и кум зи фэеплъ ит цIыхубзым и гъащIэр дэ къызэрызыфIэдгъэщIым фIыуэ пэжыжьэу зэрыщытар. Щэхуу къэнащ Марие и лIэкIэри. Хэт ар щхъухькIэ ягъэлIауэ жеIэ, хэт Вологдэ къыщикIыжым къыхыхьа щIыIэм илIыкIауэ къелъытэ. Нэхъ гущIэгъуншэу тепсэлъыхьхэм ар пащтыхьым адрей гурыщхъуэ зыхуищI гуащэхэм ещхьу утыкум къриукIэу, абы кърикIуа гущIэгъуншагъэм дэжэщIауэ хуагъэфащэ. ГурыIуэгъуэр зыщ — Марие Мэзкуу пащтыхьыгъуэр зи фейдэкIэ къэзыгъэсэбэпыфа и благъэхэмрэ пащтыхь залымымрэ я зэхуакум дэкIуэдащ. ЖызыIэ щыIэщ абы Василий нэмыщI нэгъуэщI сабии иIауэ, ауэ тIуми гъащIэ ямыIэу къыщIэкIащ. Лъэхъэнэр хьэлъэу зэрыщытам и нэщэнэщ езы Темрыкъуи куэдрэ зэрымыпсэужар. Ар 1570 гъэм Долэт-Джэрий кърым хъаным Кавказым кърищIылIа зауэм хэкIуэдащ, и къуитIыр гъэру яшащ. Темрыкъуэ и пхъурылъху пащтыхьыр Марие и шыпхъу нэхъыжьымрэ курытымрэ нысэ щыхъуахэр нэгъуейхэмрэ тэтэрхэмрэ я муслъымэн пщыгъуэхэрт. ГъэщIэгъуэнщ абыхэм я Iуэху зэрыхъуами уриплъэну. ИщхьэкIэ и гугъу тщIащ нэгъуеипщ Тинахъмэт и къуэ Иштерек, Мэлъхурыб и къуэр, нэгъуей пщышхуэ хъуауэ зэрыщытам. Иджы дахэвгъаплъэт Астрэхъан тэтэр нысэ хъуа Алтыншаш — Темрыкъуэ ипхъу нэхъыжьым и щIэблэм. Марие и фызышэм Бекбулатрэ Алтыншашрэ я къуэ Саинболэт зэрыхэтам дыщыгъуазэщ. А Саинболэтым и къекIуэкIыкIар гъэщIэгъуэн дыдэщ. Грозный Иван и щхьэ зэрытешыныхьым къыхэкIыу, щIэх-щIэхыурэ зихъумэжын хуейуэ къыфIэщIырт. Мызэ-мытIэу абы, пащтыхьыгъуэр къигъанэ хуэдэу зищIурэ, зыхуей Iуэху гуэрхэр пхигъэкIат. Апхуэдэ къытехьэгъуэхэм языхэзым абы тахътэм тригъэтIысхьауэ щытащ и щыкъу хъыджэбзым и къуэ, Темрыкъуэ и тэтэр пхъурылъху Саинболэт. Саинболэт мазэ пщыкIузкIэ Урысейм и пащтыхьыгъуэр иIыгъам и закъуэкъым. Езы Чингиз-хъаным и къуэпсым зэрыщыщым щхьэкIэ, абы пащтыхь хъуну хуэфащэу, лъы къабзэ щIэту къалъытэрт. Грознэрати, урысхэм ящхьэщыкIа къудей «тэтэр-басурмэнхэм» ящыщ тахътэм тригъэтIысхьэ хуэдэу зищIу, и боярхэр игъэIэсэну хэтт. Пащтыхь хъун и пэкIэ, Грознэм Саинболэт Къасым щIыналъэм и пащтыхьу тригъэувауэ щытащ. Кърымымрэ Тыркумрэ «муслъымэнхэр дыбокъузэ» жаIэу къыщыхагъэзыхьым и деж: «Мис, муслъымэн щIыналъэ къабзэу Къасым пащтыхьыгъуэр диIэщ», — яжриIэжырт. Пащтыхьым щIэпхъуэжу Инджылызым зыщигъэбыдэнуи щимурад къэхъуащ: тхьэгурымагъуэхэр игъаплъэрти, щаукIыну зэманыр къэсауэ къыжраIэрт. Апхуэдэ зэман дзыхьщIыгъуэджэхэм языхэзым Грознэм Саинболэтым чыристаныгъэр къригъащтэри, «Урысей псом и пащтыхь Симеон Бекбулатович» ищIащ. Езым «Мэзкуупщ Иван» зыфIищыжащ. Псоми къагурыIуэрт пащтыхьыр зэрыджэгур, ауэ езыхэри къадэмыджэгуу хъуртэкъым, я псэм тешыныхьхэрти. Тахътэм тетIысхьэжа нэужьи, Грознэм Симеоным лей ирихакъым. Нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Тверь пщыгъуэр иритат, щIы куэд и гъусэу. Иван дунейм ехыжа нэужь, пащтыхь тахътэр зэманкIэ зыIэрызыгъэхьа Борис Годунов Симеон апхуэдизкIэ тахътэм ирифыгъулIэрти, и блыгущIэтхэм тхьэ яригъаIуэрт: «Симеон Бекбулатович пащтыхьу тлъагъуну дыхуейкъым», — жригъэIэу. ИужькIэ унафэр зыIэрыхьа Лжедмитрий Езанэм (Дмитрий НэпцIым) Симеон къулъшырыфым игъакIуэри, Стефан цIэр зэрихьэу, тхьэхуэпщылIын нэхъ Iуэху имыIэу дунейм ехыжащ. Латин псалъэжьым «ЛIам и цIэ къыумыIуэххэ е фIыкIэ къиIуэ», — жи. Тыкуэнхэм иджыри щIэлъ Бещтокъуэ Хьэбас и тхылъыщIэми зэрыщыжиIэу: «Тхьэм я гуэныхь къахуигъэгъу адыгэпщхэм». ЧЭРИМ Марянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26760.txt" }
Хэт дэ къедгъэлыр? Урысейр дунейпсо утыкум къыщыдощI Сирием, Кипрым, нэгъуэщI гуэрхэм. Сыт щхьэкIэ? Дэрыншэу Iуэхур зэфIамыхыфыну пIэрэ? — ЗэфIахыфынукъым, — жеIэ тележурналист икIи политолог Леонтьев Михаил. — Сирием и бийуэ зэкъуоувэ дунейм хьэбыршыбыру тетхэр, япэ щIыкIэ а къэралыр, иужькIэ Ираныр, итIанэ Урысейр зэрызэхакъутэну къарухэр зэщIагъэуIуэ. Ар нэкъыфIэщIыгъэкъым икIи делагъэ гуэркъым. Сирием и дзэр нобэ пэщIэтщ ди бий ерум. ИкIи дэ абы дыдэмыIэпыкъуфмэ, ар хэмыту ди деж дыщезэуэн хуей хъунущ а бийм. Сыт Урысейм къыхуамурадыр? А упщIэми, нэгъуэщIхэми жэуап къарет Леонтьевым. Хуейми хуэмейми — Псори апхуэдэу шынагъуэ? Сирием теухуауэ зэгурымыIуэфыну пIэрэ? Псалъэм и хьэтыркIэ, щIыналъитIу ягуэш хъунукъэ, Израилым зэрыщыжаIэм хуэдэу: тенджыз Iуфэ лъэныкъуэр Урысейм, Дамаски хэту адрей щIыналъэр КъухьэпIэм ирату. — Ар IыхьэфIыIуэ мыхъуну пIэрэ абыхэм я дежкIэ? Сирием и Iуэхур зыубзыхун хуейр езы Сирием и цIыхухэрщ. Абыхэм я нэхъыбэм Асад даIыгъ. Зыгуэрхэр хуейуэ къыщIэкIынщ нэгъуэщI, арщхьэкIэ цIыхубэм къагуроIуэ Асад унафэр IэщIэкIмэ, я псэукIэр хуабжьу зэрызэIыхьэнур. Сириер дин зэмылIэужьыгъуэхэм ит цIыхухэр щыпсэу икIи зэныбжьэгъухэм хуэдэу щызэгурыIуэ къэралщ. Европэм апхуэдэ пщIыхьэпIэу илъэгъуакъым. Сирием и закъуэщ динымрэ властымрэ щызэпэщIэха къэралу хьэрып КъуэкIыпIэм къыщызэтенар (Алжирым и гугъу тщIынкъым, абы и Iуэхур нэгъуэщIщ). АрщхьэкIэ Сириерщ, ваххабит къарухэмрэ пащтыхь хабзэ зэхэфыхьахэмрэ къигъэсэбэпкIэрэ, КъухьэпIэм зэтрикъутэр. Залымыгъэр щытепщэ Катарымрэ Сауд Хьэрыпымрэ демократием и абгъуэу къыщIрагъэдз. Абы щызэхуашэс цIыху укIыным хуагъасэхэр. ЯщIэр зымыщIэж хъыжьпIыжьхэм уарохьэлIэ (абыхэм я гугъэщ Израилым щызауэу икIи нэгъуэщIи я фIэщ пхуэщIынукъым). Абы щызэхуашэс бзаджэнаджэхэр урысейм къраушт. Хуейми хуэмейми, Сирием и дзэр урысей фронтым и къару пэрытщ. Махуэ къэс абы и сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ хокIуадэ, ди бийм езауэурэ. Шэшэным икIахэм урысыбзэкIэ ятх: « нобэ Сириерщ, пщэдей Урысейрщ!» «Ислъамым и зауэлIхэм» жаIэ: «ФIыщIэ яхудощI Катарымрэ Тыркумрэ». Зыри укIытэжыркъым. Оппозицэм и бэракъыр къэрал зэгуэкIам и франджы колоние бэракъщ. Я мурадщ дин конфессиехэмкIэ зэщхьэщыгъэкIауэ Сириер ягуэшыну… Дэри ар дыдэр къытщыщIыну дыхуэмеймэ, Асад дыдэмыIэпыкъуу хъунукъым. — Ауэ хэт дэ дызыдэIэпыкъур, Кипрыр къедгъэлкIэрэ? Уэ зэрыжыпIэщи, «Евросоюзым и лъакъуэ сэмэгум тет а шэрыб цIыкIур» Уры- сейм сыткIэ къылъэIэсыну? — Сэ сыкъоджэ: « Кипрыр кърагъэлын папщIэ еврэмрэ сомымрэ загъэбыдэ». Ар дыхьэшхэнщ. КъагъэдэIуэну хэту аркъудейщ. Апхуэдэуи я лъакъуэ Урысейм къыпэщIадзыну я мурадщ урыс офшорэхэм папщIэ. Пэжу, абы дэ ди ягъи хэлъщ: ди къэрал компание ин дыдэхэм офшорэхэр къызэIуахын хуеякъым. Дэ Кипрыр къедгъэлын дыхущIэкъуа хуэдэщ. Дауи, щхьэхуещагъи хэлъу. Ауэ, къебгъэлынумэ, къегъэл, къыумыгъэлынумэ, ухэмыхьэ. Сэ къипхамэ, еуэ. Дэ сэ къитхщ, ди пэм дитIыхьри итлъхьэжащ. Мурадышхуэ зыхуэдгъэувыжакъым Кипрыр къедгъэлыну. Дэ тлъагъуркъым ар ди экономикэм и сэбэп хэлъу къызэрыдгъэсэбэпыфыну щIыкIэр. — АтIэ, иджы дэнэкIэ цIыху щхьэхуэхэмрэ компаниехэмрэ я ахъшэм здаунэтIынур? Сингапурыра хьэмэрэ Ганконгыра? Хэт Кипрыр зэзыхъуэкIынур? — Ахъшэр Америкэм кIуэнущ. Зы къэралым и унафэм финанс ухуэкIэ псор щыщIэтым деж Iуэхур зэIыхьэмэ, мылъкухэм я нэхъыбэр абы къыщохутэ. Кризисыр нэхъ куу хъухукIэ, долларыр нэхъ лъэщ мэхъу. Апхуэдэу щытынущ а ухуэкIэр зэтещэхэхукIэ. Акъылыншагъэм къытокIри, нэмыукIытагъэм хуокIуэ — Команданте Чавес лIа иужь, Урысейр ныбжьэгъу имыIэжу къэна? — Чавес цIыху телъыджэт. Сэ абы и цIыхущIыкIэр хуабжьу сигу ирихьырт. АрщхьэкIэ абы и политикэ Iуэху еплъыкIэхэр дэсIыгъыфынукъым, диIыгъынуи зыми чэнджэщ естыфынукъым. Ар Iуэхухэр щызэхэзэрыхьа Венесуэлэм и жылагъуэм къыщыхъуа цIыхущ. Ар хуабжьу зэкIэщIэкIа лъэныкъуитIщ: япэр — рентэм ахъшэ къыщIэзыфыкI класс курыт цIыкIурщ, етIуанэр — индейхэмрэ нэгъуэщI факъырэхэмрэщ. Чавесщ курыт классыр къулейсызхэм ядигъэгуэшэну япэу хущIэкъуар. Абы зыужьыныгъэм и гъуэгу гуэри къызэIуихакъым, мылъкур яригъэгуэшыну и мурада къудейщ. ЗыгуэркIэ ар захуагъэт. Ауэ узыхуишэнур щыхупIэщ. Пэжщ, ар фIыуэ ялъагъурт. Ауэ къулейхэр къытеплъэ хъуртэкъым. Арати, бзаджэнаджэхэмрэ ныкъуэделэхэмрэ зэпэщIэуващ, Чавес ныкъуэделэхэм я пащтыхьт. Абы хуэгъэзэщIакъым зыхуигъэувыжа къалэныр. Абы дэ куэд къытхуищIащ: псом япэу ди деж Iэщэ куэд дыдэ щищэхуащ. Си гугъэщ Чавес и ужькIэ Урысейр Iэщэ ищэн и лъэныкъуэкIэ гугъуехьхэм хэхуэну. ЩIыдагъэ зэгурыIуэныгъэхэр зэрыщытауэ къэнэжынущ. Ауэ Iэщэ къэщэхуным и Iуэхум политикэ фIэфIыныгъэ хэлъын хуейщ. — Саакашвили и лъэр щIауда иужь, сыт Куржым къыпэплъэр? «Галстук зышхыну зыфIэфIым» и Iуэхур зыхуэкIуэнур сыт? — Саакашвили здэщыIэнумкIэ Урысеймрэ США-мрэ зэгурыIуэнущ. Куржым къыщыхъу псори зэхаубла джэгум ещхьщ. Саакашвили оппозицэм ирищIэфынут иджыри къэс ирищIэу щытар: зэбгрихунти, хэхыныгъэхэм кърикIуахэр пцIыуэ къыщIригъэдзынт. Ауэ зи блыгущIэтхэм къыхуадакъым. Гу лъыфтэ: абыхэм ар хьэIупс ящIакъым. ФэрыщIыгъэ зыпылъ щхьэусыгъуэ гуэр къыкъуэкIыным пэплъащ. ИкIи къыкъуэкIащ. Псоми къагурыIуакIэщ Куржыр Урысейм и кIуэцIым ит къэралу зэрыщытыр. Арыншауэ, ар къэралу щытыххэнукъым. Иванишвили ар ещIэ, ауэ жиIэну хуиткъым. Зэран къахуохъу Абхъазымрэ Осетие Ипщэмрэ егъэщIылIауэ лъэныкъуитIми зэтраухуа лъэпощхьэпор. А лъэпощхьэпор яхуэгъэкIуэдыну? ЗэкIэ Урысейм зыкIи зыкъигъэлъагъуэркъым, хуабжьу сакъыу зеIыгъ. Иванишвили хуэгъэзауэ. Абы гугъэ пыухыкIахэр уегъэщI. Апхуэдэу ар щытщ США-м и администрацэм езым къехьэлъэкI къалэнхэр зыщхьэщихыну зэрыхуейм и нэщэнэу. Америкэм и политикэр нэмыукIытагъэм тещIыхьауэ сыт щыгъуи щытащ, ауэ иужь зэманым акъылыншагъэм хуэкIуащ. Обамэ и мурадщ нэмыукIытагъэ зыхэлъ политикэм хуэкIуэжыну. Тхьэм къригъэхъулIэ! НэмыукIытагъэ зыхэлъ- хэм уагурыIуэну нэхъ тыншщ акъылыншэхэм нэхърэ. ВОЛОДИН Андрей. «Аргументы и факты»
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26770.txt" }
Куржым и лъагъуэм ирокIуэ Узбекистаным и президент Каримов Ислъам и акъылым икIауэ къыщIэкIынущ — къэралым зыхуегъэхьэзыр Азие Курытым щызэхиублэну зауэм. НэхъапэIуэм абы тепсэлъыхьар IэщIагъэлIхэм я закъуэт. Ауэ американ прессэм США-м и Конгрессым къикIыу къыIэрыхьа хъыбарым тепщIыхьмэ, Каримовыр хуейщ Вашингтон зэрыдэлажьэм зригъэубгъуну. Конгрессменхэм жаIэ а къэралым иIэ урысей Iэщэр америкэм щащIахэмкIэ зэрахъуэкIыным узбекхэр щIэхъуэпсу. Апхуэдэущ Куржым и президент Саакашвили Михаили къызэрыщIидзауэ щытар. ИужькIэ ар иухащ Урысейм кърищIылIа зауэмкIэ. Псор нэрылъагъуу йокIуэкI, гу ялъумытэнкIэ Iэмал имыIэу. Ташкент щогугъ Iэщэ лIэужьыгъуэщIэ дыдэхэр Вашингтон къыIихыну — вертолетхэр, бронеавтомобилхэр, жэщым уэзыгъэлъагъу Iэмэпсымэхэр, лагъымхэр, н.къ. Иужь зэманым тепсэлъыхь хъуащ цIыху имысу ягъэлъатэ кхъухьлъатэщIэхэм. Апхуэдэ Iэщэ Урысеидзэм иIэкъым. Ташкент фэ зытрегъауэ ислъамыр тегъэщIапIэ зыщIу зызэщIэзыузэдахэм защихъумэн папщIэ Iэщэ щIэлъэIуу. Ауэ ар зэрымыпэжыр гурыIуэгъуэщ. Американхэм зэрыжаIэмкIэ, «Ислъамхэм къабгъэдэкIыу шынагъуэ гуэри ялъэIэсыркъым Узбекистанми Азие Курытым и адрей къэралхэми». Каримовым IэщэкIэ зызэщIеузадэ Къыргъызымрэ Таджикистанымрэ зауэ ярищIылIэн мурадкIэ. Иужь зэманым Узбекистанымрэ а къэралхэмрэ я зэхущытыкIэхэр хуабжьу зэIыхьащ. Ар къызыхэкIар абыхэм ГЭС абрагъуэхэр щаухуэнкIэ зэрыхъунурщ. ИтIанэ Узбекистаным игъуэтыжынукъым хьэсэхэм щIигъэхьэну псыр. Къыргъызымрэ Таджикистанымрэ Узбекистаным нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIущ икIи, иужьрейм хуэмыдэу, Москва быдэу къыдолажьэ. Пэжщ, щызэгурымыIуи къохъу. Абы ещхь дыдэ къэхъуауэ щытащ Урысеймрэ Куржымрэ зауэм хуэкIуа къаугъэ яку къыдэхъуэн и пэкIэ. Ташкент Тбилиси и щапхъэм теувэмэ, Москва къыргъызхэмрэ таджикхэмрэ ядэIэпыкъун хуей хъунущ. Мыбдеж къарум и мызакъуэу, экономикэ Iэмалхэри къыщагъэсэбэп хъунущ. Япэ щIыкIэ узбек пхъэнкIакIуэ псори я хэку ягъэкIуэжынщ. Узбекхэм фIэкIа зыхэмыт «дивизэ хъыжьэ» къызэрагъэпэщми хъунущ. Iуэхум куууэ хэзыщIыкI Саакашвили Михаил жиIауэ щытар зыщыдгъэгъупщэнкъым. Абы и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, 2008 гъэм и шыщхьэIум 58-нэ армэмрэ нэгъуэщI урысеидзэхэмрэ хэту зэуащ куржы 800-м нэблагъэ. «Аргументы и факты»
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26772.txt" }
«Адыгэ псалъэр» къыфIэрыхьэну фыхуеймэ Ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ! Илъэс ныкъуэм ди газетым и уасэщ сом 356-рэ кIэпIейкIи 10-рэ. «Адыгэ псалъэм» Iэ щытевдзэ хъунущ республикэм и пощт IуэхущIапIэ псоми.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26777.txt" }
Аккизовэ Сиярэ и гъэлъэгъуэныгъэ СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Александр и цIэр зезыхьэм, мэлыжьыхьым и 12-м къыщызэIуах Аккизовэ Сиярэ и гъэлъэгъуэныгъэ. Аккизовэ (Меджидовэ) Сиярэ и творчествэр зигу ирихьхэр щымащIэкъым Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм. Лезгин лъэпкъым щыщу профессиональнэ сурэтыщI япэу хъуа бзылъхугъэщ ар. Сиярэ и адэм (Дагъыстэным щыцIэрыIуэ тхакIуэт) и пхъур сурэт щIыным зэрыдихьэхыр и гуапэ хъурт, и тхылъхэр зэгуэр и лэжьыгъэхэмкIэ хуигъэщIэрэщIэнуи щIэхъуэпсырт. Аккизовэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щопсэу, щолажьэ, ауэ къызыхэкIа лъэпкъыр, къыщыхъуа щIыналъэр и псэм хэлъщ, абыхэм яхуиIэ лъагъуныгъэр зэманым куу ищI фIэкIа, нэхъ мащIэ хъуркъым. «Мир дому твоему», «Праздник в селе», «Поэзия гор» и литографиехэр, нэгъуэщIхэри гъа-щIэм къытхузэIуих дэтхэнэ махуэри зыгъэлъапIэщ. Сиярэ сабий тхылъхэр игъэщIэрэщIэну фIэфIщ, абы и лъэныкъуэкIи лэжьыгъэ куэд иIэщ. Адыгэ, балъкъэр таурыхъхэр щызэхуэхьэса «Девочка пляшет» тхылъым хуищIа иллюстрацэхэм гуапагъэм, Iущыгъэм, цIыхум пщIэ хуэщIын зэрыхуейм ныбжьыщIэхэр къыхураджэ. ГЕРАСИМОВЭ Риммэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26779.txt" }
Нобэ Паркинсон узым ебэныным и дунейпсо махуэщ Фашист гъэрыпIэм исахэр хуит къыщащIыжа махуэщ. 1945 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м Iэщэ яIыгъыу зыкъаIэтащ Бухенвальд гъэрэщым исхэм икIи лагерыр яубыдри, советыдзэхэм къадэщIхэр абы нэсыху ар яIыгъащ. 1863 гъэм Адыгэ узэщIакIуэ, генерал-майор Къаз-Джэрий СулътIан дунейм ехыжащ. Адыгей тхыбзэр зэхэзылъхьа БекIухъу Ахьмэд къызэралъхурэ илъэси 121-рэ ирокъу. УэрэджыIакIуэ Аслъэн Iэсият къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 — 10, жэщым градуси 7 — 9 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26781.txt" }
КъБР-м и Iэтащхьэм къохъуэхъу Урысейм ДзюдомкIэ и федерацэм и Iэтащхьэ Анисимов Василийрэ ДзюдомкIэ дунейпсо федерацэм и унафэщI Ротенберг Аркадийрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен гуапэу къехъуэхъуащ КъБР-м и спортсмен, УФ-м дзюдомкIэ и командэ къыхэхам хэт, урысей, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щытекIуа икIи къыщыхэжаныкIа, Пекин олимпиадэм хэта Джэданэ Алим къихьа ехъулIэныгъэ гъуэзэджэхэм папщIэ. Республикэм и Iэтащхьэм и деж къагъэхьа тхыгъэм ахэр абы къыщехъуэхъуа къудейкъым дзюдомкIэ Америкэм и зэхьэзэхуэ зэIухам ди спортсменым зи чэзу дыщэ медалыр къызэрыщихьамкIэ, атIэ икIи фIыщIэ къыщыхуащIащ дзюдом щIыналъэм зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуищIым папщIэ, апхуэдэу къыщагъэлъэгъуащ узыншагъэ быдэ иIэну, щIалэм текIуэныгъэ инхэр дяпэкIи къихьыну зэрагуапэр. Гъэунэ Светланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26783.txt" }
ЯдоIэпыкъу, тыгъэхэр яхуещI Мэлыжьыхьым и 9-м КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен цIыхухэм щаIущIащ Урысей Федерацэм и Президентым и егъэблэгъапIэм. Бын куэд зиIэ Бырсекъуэ Iэминат Шэджэм щIыналъэм щыщ Нартан къуажэм щопсэу. Абы коммунальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ щIыхуэ къытехуащ икIи хуэпшыныжыркъым. ЦIыхубзым и щхьэгъусэр терроризмэм и бийуэ Шэшэн Республикэм щекIуэкIа Iуэхухэм хэтащ. Мы зэманым зэщхьэгъусэхэр лажьэркъым, пIалъэ-пIалъэкIэрэ къаIэрыхьэ хэхъуэхэм иропсэу. А псоми едэIуа иужь, КъБР-м и Iэтащхьэм мурад ищIащ унагъуэм дэIэпыкъуну. Абы ещхь IуэхукIэ къэкIуащ Налшык щыщ Воликов Александри. Бын куэд щапI унагъуэр гугъу йохь, абы коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я лъэныкъуэкIэ щIыхуэ телъщ. Мыбдежи КъБР-м и Iэтащхьэм зыкъыщигъэлъэгъуащ гудзакъэшхуэ зиIэ цIыхуу. Воликов Александр апхуэдэу къыхилъхьащ альпинизмэм и школ къызэрагъэпэщыну. Республикэм и Iэтащхьэм къелъытэ мы Iуэхум КъБР-м Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэр куууэ хэгъэплъэн хуейуэ. ИужькIэ чэзур къылъысащ Лэскэн щIыналъэм щыщ Арщыдан къуажэм щыпсэу Жылэтеж Раисэ. Къанокъуэ Арсен балигъ мыхъуа бынитху щапI унагъуэм мылъку хухихащ. Илъэсих зи ныбжь Сэлэхьэдин и анэм щIыгъуу КъБР-м и Iэтащхьэм и деж къэкIуат. Абы игу къигъэкIыжащ ТекIуэныгъэм и махуэр гъэлъэпIэным егъэщIылIа гуфIэгъуэ Iуэхухэр щекIуэкIым Къанокъуэ Арсен IущIауэ зэрыщытар. «КъарууфIэу укъотэджри, уи анэр бгъэгуфIэнущ, Хэкум и хъумакIуэу ущытынущ, лIыгъэ пхэлъынущ», — зыхуигъэзащ Къанокъуэ Арсен хьэщIэ щIалэ цIыкIум. Республикэм и Iэтащхьэм Сэлэхьэдин тыгъэ хуищIащ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа тхылъыр. «Сэ псоми сыкъеджэнущ», — къигъэгугъащ щIалэ цIыкIум щыщIэкIыжым. Абы щIигъужащ езым и куейм республикэм и Iэтащхьэр аргуэру щилъагъуну зэрыхуейр. АхъшэкIэ дэIэпыкъуащ Лэскэн щIыналъэм щыщ Анзорей къуажэм щыпсэу Щэныбэ Олеги. А пенсионерми газ уасэмкIэ щIыхуэ къытехуат. КъэлъаIуэм техникэ къэхутэныгъэхэр иIэу къыщIэкIащ. Ар хуейт абыхэм я патент зэрызыIэригъэхьэну щIыкIэр гурагъэIуэну. Ари хуащIащ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26787.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 15 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 8.10 «Зы уэрэдым и хъыбар» (12+) 8.25 «Шапито». Псым тет цирк. Япэ Iыхьэ (6+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 «Гупсысэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.30 «КъэкIуэнур зейхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.25 Мультфильм 19.45 «Унагъуэ». Гергоковхэ я унагъуэр. Налшык къалэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.15«УгушыIэнумэ, къеблагъэ». ГушыIэ программэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.35 «Псэм и лъахэ». КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Мэзыхьэ Борис (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.10 КъБР-м ММА-мкIэ екIуэкIа чемпионатым и иужьрей зэIущIэхэр (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, мэлыжьыхьым и 16 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу». КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, журналист Геляевэ Лизэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Япэ итахэр». Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Келеметов Шухьиб (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8. 15 «Гъуазджэм и бзэкIэ». Скульптор БжэIумых Хьид (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.50 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Мамбэт Мадинэ (адыгэбзэкIэ) 9.15 «Шапито». Псым тет цирк. Япэ Iыхьэ (6+) 18.00 «Абы и псалъэр». ТхакIуэ КIэрэф Мухьэмэд (адыгэбзэкIэ) (12+) 18. 35 Сабийхэм папщIэ спорт тележурнал (6+) 19.25 Мультфильм 19.40 «ГъащIэ». Лэжьыгъэм и ветеран Эристаевэ Айшат (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.15 «ФIым телэжьэн». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэршэнкъул Iэдэм (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.45 ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дыщэ Вагъуэхэр». Совет Союзым и ЛIыхъужь Кузнецов Григорий 20.55 «Мыхъур». Тележурнал (12+) 21. 25 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 17 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Тхыдэм хэт цIыху». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Хьэщхъуэжь Раисэ (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Уста». Арджэн зыщI IэпщIэлъапщIэ Бозиевэ Мэржан (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.15 «ЦIыкIураш». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.30 «Гум къиIукI уэрэдхэр». «Амикс» театрым и уэрэджыIакIуэ Хъусин Анзор. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «Зэманым екIуу» 9.40 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 18.00 «Неугаданное» «Трамантана фильм» кинокомпание 18.20 Пармэ и пащтыхь оперэм и камернэ ансамблым и концерт. ПэщIэдзэр (12+) 19.25 Мультфильм 19.45 «Сурэтхэм къаIуэтэж» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.00 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мизиев Таубий (16+) 20.30 «ЩIалэгъуэ». ЩIалэгъуалэ тележурнал (12+) 21.05 ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дыщэ Вагъуэхэр». «Уафэгум ихьэжа». Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ Ахьмэдхъан (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, мэлыжьыхьым и 18 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Чемпионхэр». СССР-м футболымкIэ спортым и мастер Гогибедашвили Заур (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Чыкъен». УсакIуэ Геккиев Магомед (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.25 «Ойнай, ойнай». ГушыIэ программэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.40 «Гум къиIукI уэрэдхэр». «Амикс» театрым и уэрэджыIакIуэ Хъусин Анзор. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.20 «Си бзэ — си псэ, си дуней». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Урыс Хьэталий. Япэ нэтын 18.00 Мультфильм 18.20 Пармэ и пащтыхь оперэм и камернэ ансамблым и концерт. КIэухыр (12+) 19.25 Мультфильм 19.35 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.05 «Литературэм теухуа псалъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.35 «Ди псэлъэгъухэр». КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Тау Пщыкъан (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.10 «ЩIэныгъэлI». Биологие щIэныгъэхэм я доктор КIэрэф Майе (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, мэлыжьыхьым и 19 7.00 Мультфильм 7.20 «Узыншэу фыщыт» (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «ЗэIущIэхэр». Авиацэм и полковник, Май щIыналъэм хыхьэ Октябрьскэ къуажэм щыIэ кадетхэм я школ-интернатым и унафэщI Биттиров Борис дыIуощIэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.30 «Си бзэ — си псэ, си дуней». Филологие щIэныгъэхэм я доктор Урыс Хьэталий. ЕтIуанэ нэтын (12+) 9.00 «Урысейм и макъ жьгъырухэр». УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм я урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэ (12+) 9.30 «Перспектива». «КъБР-м жыг хадэхэр щыгъэкIын». Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым щекIуэкIа щIэныгъэ-практикэ конференц 18.00 Мультфильм 18.10 «Сабиигъуэм и лъахэ». УсакIуэ Хьэту Петр (адыгэбзэкIэ) (6+) 18.35 «Чемпионхэр». СССР-м футболымкIэ спортым и мастер Сыжажэ Валерэ 19.25 Мультфильм 19.35 ТекIуэныгъэ Иным и махуэр догъэлъапIэ. Гъэунэ Борис. «Къэгъэзэж закъуэ, папэ!» телепостановкэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.50 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) 20.20 «Республикэм хуэгъэзауэ». Аруан район администрацэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Антемыркъан (16+) 20.55 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, мэлыжьыхьым и 20 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Гум къикI уэрэд». Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Уэтэр МуIэед (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ». Отаров Керим и творчествэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.30 «Псыпэхэш». Щауэжь Елмырзэ къызэралъхурэ илъэси 115-рэ ирокъу (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.00 Урысей Федерацэм бгы-лыжэ спортымкIэ и кубокыр къэхьынымкIэ 7-нэ зэхьэзэхуэм къратыкI репортаж (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.40 Мультфильм 17.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 17.35 Узденов Альберт и концерт. ПэщIэдзэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.25 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 18.45 «Узыншэу фыщыт». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.05 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.40 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 19.55 «Прорыв» программэр (12+) 20.25 «ЛИК: литературэ, гъуазджэ, щэнхабзэ». Тележурнал (12+) 21.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 21 7.00 Мультфильм (6+) 7.55 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 8.10 «Дети гор» ансамблым и концерт (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.35 « Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 8.50 «Медицинэмрэ дэрэ». Май щIыналъэ сымаджэщыр (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.50 Мультфильм 17.05 Ретроспектива. «Когда я слушаю слова…» Телефильм 17.40 Узденов Альберт и концерт. КIэухыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18. 30 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 18.55 «ГушыIэ махуэ апщий!» ТIыхъужь Алий и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ фестиваль (адыгэбзэкIэ) (16+) 19.25 «Махуэшхуэ». Прохладнэ къалэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу (12+) 20.05 «Сурэттех Толгуров Камал и гъэлъэгъуэныгъэ (12+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 15 Сыхьэт 11-рэ дакъикъэ 50 пщIондэ лажьэркъым 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 21.15 «ХамэщIри хэкум хуэдэу фIыуэ елъагъу» (балъкъэрыбзэкIэ) Гъубж, мэлыжьыхьым и 16 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 9.30 «Макъамэ пощт» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «Литературэм и лъахэ». ШэрыIужь А. 21.00 «Зэманым и лъэужь» программэр Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 17 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, I9.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 Ток-шоу «Адэхэмрэ бынхэмрэ» Махуэку, мэлыжьыхьым и 18 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIахэр» 9.30 «Макъамэ пощт» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30,19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «Си анэдэлъхубзэ» (адыгэбзэкIэ) 21.00 «Тщымыгъупщэн папщIэ». Настаев зэкъуэшхэр (балъкъэрыбзэкIэ) Мэрем, мэлыжьыхьым и 19 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 20.40 «Вояж» программэр Щэбэт, мэлыжьыхьым и 20 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIахэр» 10.35 «Макъамэ пощт» Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 21 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр ВГТРК-м и радио Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 15 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 8.00 «Дыщалъхуа жылагъуэр». Балъкъэр Ипщэ къуажэм дэсхэм ятеухуауэ. 10.15 — 10.30 Къэшэж Иннэ и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр. 13.25 — 13.45 Теунэ Хьэчим. «Бжьэ» рассказыр (адыгэбзэкIэ). 13.45 — 14.00 Аслъэн Iэсият уэрэд жеIэ. Гъубж, мэлыжьыхьым и 16 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 «Гъатхэ макъамэхэр» концерт (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Журтубаев М. «Тхыдэр цIыхубэм я гъуджэщ» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Тхьэгъазит Зубер. Усыгъэм и дакъикъэхэр (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 «Спорт хъыбархэр». 13.40 — 14.00 Мэзыхьэ Борис. «УIэгъэ» новеллэ (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 17 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 «Усэхэр зратхэ тетрадь». КIыщокъуэ Алимрэ Гамзатов Расулрэ (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Жыгхэр щыгъагъэ лъэхъэнэ». «Таулан» цIыхубэ ансамбль (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Таурыхъыр таурыхъым кIэлъыкIуэу (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 13.50 «Тхыдэм и напэкIуэцIхэр къызэдгъэдзэкIыурэ». Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ). 13.50 — 14.00 Къызыдэфэ пшыналъэ. Махуэку, мэлыжьыхьым и 18 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ». Нэгузегъэужь нэтын. 10.15 — 10.30 «И чэзу дыдэщ». 13.25 — 13.45 «МэкъумэшыщIэхэм папщIэ сыхьэт». 13.45 — 14.00 Хэкум теухуа уэрэд. Мэрем, мэлыжьыхьым и 19 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 7.40 Эстрадэм и концерт (адыгэбзэкIэ). 7.40 — 8.00 Гулиев Мэжид «Отверженные звезды» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Таурыхъхэм я ауз» (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 «Хамэр къыздэIэпыкъумэ, си Iыхьлыуэ къэслъытэнущ». Лъы зытым и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу. 13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ». Щэбэт, мэлыжьыхьым и 20 10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр». 12.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 «Ди лэжьэгъуу щытам и фэеплъ» НэщIэпыджэ Ибрэхьим къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу. Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 21 10.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр. 10.25 — 10.45 КIэбышэ Лилэ. «Къысхуэгъэгъу» рассказым къытращIыкIа теплъэгъуэ. 10.45 — 11.00 Бэрэгъун Марьянэ уэрэд жеIэ. КъБР-м и радио Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 15 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «ЩIэныгъэм и дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00/9.20 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, мэлыжьыхьым и 16 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.30 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.48/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 Классикэ макъамэм и концерт (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.35 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, мэлыжьыхьым и 17 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «Дунеймрэ абы щыпсэу цIыхумрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, мэлыжьыхьым и 18 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «кIэщIу нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм папщIэ ятха пьесэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.37/17.42«Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.47/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 «Уэрэдыжьхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45-11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25/12.45«Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, мэлыжьыхьым и 19 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/16.35 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, мэлыжьыхьым и 20 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Айсурат». ЦIыхубзхэм папщIэ радиожурнал (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр…» (урысыбзэкIэ). 10.00/10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Тхыдэмрэ цIыху гъащIэмрэ». Хутуев Хьэнафий къызэралъхурэ илъэс 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00/14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, мэлыжьыхьым и 21 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Дыщалъхуа щIыналъэм и макъамэр» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ). 10.40/10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35/14.00 «Уэрэд, къызэрыфэ пшыналъэ цIэрыIуэхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26792.txt" }
УФ-м СпортымкIэ и министерствэм и саугъэтхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым Спортымрэ туризмэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ 14-м Урысей Федерацэм СпортымкIэ и министерствэм и саугъэтхэр къыхуагъэфэщащ. Абыхэм ящыщу бгъум Урысейм спортымкIэ и министрым къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъ иратащ. Ахэр — бэнэкIэ хуитымкIэ КъБР-м и къэрал тренер Iэпщэ Анзор, атлетикэ хьэлъэмкIэ тренер-егъэджакIуэ Ахъмэт Заурбэч, дзюдомкIэ тренер-егъэджакIуэ Иуан Анатолэ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ тренер-егъэджакIуэ Нэчо Сэфарбий, КъБКъУ-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ къудамэм и декан Тхьэзэплъ Iэниуар, атлетикэ псынщIэмкIэ тренер-егъэджакIуэ Умеренков Михаил, Эльбрус муниципальнэ куейм Физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и комитетым щыIэ Олимп резервхэр щагъэхьэзыр сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и унафэщI Чеченов Арсен, Аруан къуажэм дэт курыт еджапIэм физическэ щэнхабзэмкIэ и егъэджакIуэ ШкIахъуэ Жыраслъэн, дзюдомкIэ тренер-егъэджакIуэ Буниятов Ализаде Мурад Оглы. Урысей Федерацэм СпортымкIэ и министерствэм и ЩIыхь тхылъ хуагъэфэщащ КъБР-м и Специализированнэ комплекснэ спорт школ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Проценкэ Людмилэ. «Физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ я отличник» щIыхь дамыгъэр хуагъэфэщащ КъБР-м боксымкIэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и унафэщIым и къуэдзэ Атасауов Ахъмэт, КъБР-м «Сабий-ныбжьыщIэ спорт школ №1»-м и муниципальнэ кIэзонэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Багъэтыр Тимур, Налшык щыIэ муниципальнэ бюджет егъэджэныгъэ IуэхущIапIэу ЦIагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ «СОШ №31»-м и унафэщI Егъуэж Анзор, КъБР-м и къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэ «Атлетикэ хьэлъэмкIэ Сабий-ныбжьыщIэ спорт школым» и унафэщIым и къуэдзэ Шакманов Мухьэмэд сымэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26797.txt" }
Шопагуэ Елдар япэ йощ Калугэ областым и Медынь къалэм щекIуэкIащ универсальнэ бэнэкIэ псынщIэмрэ универсальнэ бэнэкIэмкIэ Урысейм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ илъэс 18 — 20 хъу щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я зэхьэзэхуэ. Абы я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ икIи ехъулIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьащ КъБР-м и спортсмени 6-м. Универсальнэ бэнэкIэ псынщIэмкIэ зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Шопагуэ Елдар (кг 60). Тхьэзэплъыж Ислъам (кг 80) етIуанэщ, Сэхъу Къантемыррэ (кг 70) Хьэгъэжей Даниилрэ (кг 75) ещанэ хъуащ. Универсальнэ бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэм ди спортсменхэм аргуэру медали 3 — зы дыжьынрэ жэзитIрэ — щызыIэрагъэхьащ. Сэхъу Къантемыр етIуанэ увыпIэр къихьащ, Шопагуэ Елдаррэ Бетыгъуэн Залымрэ (кг 70) ещанэщ. Спортсмен ныбжьыщIэхэр я гъэсэнщ тренерхэу Щомахуэ Къазбэчрэ Бетыгъуэн Русланрэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26799.txt" }
Дыжьыну зы, жэзу щы Тагил Ищхъэрэ щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ фулл контакт Iыхьэм и лоу-кик лIэужьыгъуэмкIэ чемпионатрэ Урысейм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ зэхьэзэхуэрэ. КъБР-м и спортсмениплIым абы дыжьын медалу 1, жэзу 3 щызыIэрагъэхьащ. 1997 — 1998 гъэхэм къалъхуа, кг 63,5-рэ хьэлъагъым нэс ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм Къанокъуэ Елдар дыжьыныр къыщихьащ. Балигъхэм я деж Къанокъуэ Бэллэ (кг 60-рэ) жэз медаль щызыIэригъэхьащ. Ахэр Саралидзе Айдын и гъэсэнщ. Апхуэдэу, балигъхэм я деж жэз медаль къыщахьащ БецIыкIу Зубер и гъэсэн БецIыкIу Ибрэхьимрэ Апажэ Рашидрэ. Абыхэм Сихъу Къазбэчрэ МафIэдз Азэмэтрэ я тренерщ. Къанокъуэ Елдар кикбоксингымкIэ Урысейм и командэ къыхэхам хагъэхьащ икIи мы гъэм и фокIадэм Европэм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтыну Iэмал игъуэтащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26801.txt" }
КИФЩI-м и спартакиадэм хэтынухэр къыхах Налшык СпортымкIэ и унэм КъБР-м и еджакIуэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я спартакиадэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ спортсмени 120-рэ. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэмкIэ яубзыхуащ мэлыжьыхьым и 24 — 25-хэм Краснодар крайм и Ейск къалэм щекIуэкIыну КИФЩI-м и спартакиадэм ди щIыхьыр щызыхъумэну КъБР-м и командэ къыхэхар. Гупым хагъэхьащ республикэ зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщызыхьахэу Шэру Иналбэч, Къанкъул Ислъам, ДыщэкI Албэч, ГунжафIэ Альберт, ЦIагъуэ Арслан, Гугу Алим, Бэгъэтыр Руслан, БищIо Тимур, ХъутIэжь Алим, Ныбэжь Нурмухьэмэд, Задорин Артур сымэ. Командэхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ Налшык и гупым. Бахъсэндэсхэр — етIуанэ, Тэрч куейм къикIахэр ещанэ хъуахэщ. Зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэщ КъБР-м Спортымрэ туризмымкIэ и министерствэр. ЕхъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьахэм абы къыбгъэдэкI медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ иратащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26804.txt" }
«Шэрджэс тхыдэ» Апхуэдэ цIэр зиIэ тхылъ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ къыщыдэкIащ Мейкъуапэ дэт Адыгэ республикэ тхылъ тедзапIэм. Ар и къалэмыпэм къыпыкIащ тхыдэдж Iэзэ, бзэ щIэныгъэлI, тхакIуэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Натхъуэ Къадыр (США). «Шэрджэс тхыдэ» («Черкесская история») тхылъым и щIэныгъэ редакторыр филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор ШащIэ Къазбэчщ. Абы пэублэ псалъэ хуитхащ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ, профессор ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий. ХьэрыпыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, урысыбзэкIэ къыдэкIа а тхылъым лъабжьэ хуэхъуащ адыгэхэм я тхыдэм ехьэлIауэ Натхъуэм илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэр, ижь лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ нобэрей зэманым нэс. Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм къадэкIуэу, авторым къигъэлъэгъуащ языныкъуэ къэхъукъащIэхэм ехьэлIауэ иIэ еплъыкIэхэр. Апхуэдэ публицистикэ Iэмалхэр къигъэсэбэпыну зи мурад тхакIуэм аращ и къалэмыпэм къыпыкIам «Шэрджэс тхыдэ» щIыфIищар, «Шэрджэсым и тхыдэ» мыхъуу. Лъэпкъым и къекIуэкIыкIар къэIуэтэжыным творчествэ хэлъу бгъэдыхьа Натхъуэм зытепсэлъыхь дэтхэнэ лъэхъэнэри ди нэгу къыщIегъэувэ художественнэ, философие Iэмалхэр къигъэсэбэпу. Гулъытэншэу къэнакъым ди лъэпкъ тхыдэм и зы лъэхъэни. Къадыр шэщIауэ ятопсэлъыхь синдхэм, мэуэтхэм, зыхьхэм, хьэтхэм. Авторым къызэрилъытэмкIэ, адыгэ дунейр и закъуэу къэгъуэгурыкIуакъым — абы и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуащIащ гъунэгъуу къадэпсэуа адрей лъэпкъхэм. ИтIани, шэрджэсхэр сыт хуэдэ лъэхъэни дуней псом щыцIэрыIуэу, а лъэпкъыр нэхъ гъунэгъуу зрагъэцIыхуным куэд щIэхъуэпсу къекIуэкIащ. ЩIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр зыIэрагъэхьэну щIэхъуэпсыр куэд хъурт. Уэсмэн къэралыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ европей къэралхэм нэс, Урысейри абыхэм яхэту. Адыгэ лъэпкъ тхыдэм мыхьэнэшхуэ щызиIа Урыс-Кавказ зауэм тхылъым и Iыхьэ щхьэхуэхэр хухихащ Натхъуэм. Илъэсищэ зауэм тепсэлъыхьурэ, авторым къехь тхыдэ дэфтэр куэдым къыхиха Iыхьэхэу а зэман хьэлъэр ди нэгу къыщIэзыгъэувэжхэр. ЛъэпкъкIуэдыр къытхуэзыгъакIуэ пэта зауэм кърикIуахэм, адыгэ мамлюкхэм я щIэблэм, хэкужьым исхэм абыхэм хуаIэ пыщIэныгъэхэм, лъэпкъым игъуэтыж зыужьыныгъэм — а псори къыщыIэтащ «Шэрджэс тхыдэ» тхылъым. Тхыгъэхэм къадэкIуэу абы ихуащ адыгэ гъащIэр къызэрыщыж, лъэпкъым и цIыху щэджащэхэм я сурэтхэр. «Иджырей адыгэхэр» Iыхьэр ятеухуащ адыгэхэм ди зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа хэкупсэхэм, хэкулIхэм: политикхэм, гъуазджэм, щIэныгъэм я лэжьакIуэхэм, тхакIуэхэм, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм. Апхуэдэхэм ящыщу Натхъуэр топсэлъыхь ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий, МэкIэтIей Абдулыхь, МэшбащIэ Исхьэкъ, Къалмыкъ Юрэ, КIуэкIуэ Валерэ, Бэчыжь Лейлэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Нало Заур, Думэн Хьэсэн, ЛIыхэс Борис, Щэумэн Хьэзрэт, Нэхущ Заурбий, Темыркъан Юрэ, Тут Заур сымэ, нэгъуэщIхэми. «Шэрджэс тхыдэ» тхылъым укъеджа нэужь, уи фIэщ мэхъу: адыгэхэр ди тхыдэ гъуэгуанэм сыт хуэдэ лъэпощхьэпохэм, гугъуехьхэм, зауэ-банэхэм дащыIууами, дэ дахэшыпсыхьыжакъым адрей лъэпкъ минхэм, атIэ ди тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр, хьэл-щэныр, псом нэхъыщхьэращи, ди анэдэлъхубзэр диIэжу, ахэр хъумэным дыхущIэкъуу дунейм дытетщ. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26806.txt" }
Лъагъуэр пхызышахэр ЛIэщIыгъуэхэр блэкIынщ, щIэ куэд къэхъунщ, ауэ 1961 гъэм мэлыжьыхьым и 12-р цIыхубэм и гъащIэм къыхэнэнущ езыр дунейм тетыху… …А махуэм дэ, школакIуэхэр, дыщызэхуагъэсат пионерхэм я пэшышхуэм. ДыщIызэхуашэсар тщIэртэкъым, ауэ абыи дегупсысыххэртэкъым: щхьэусыгъуэхэр сыт щыгъуи къыкъуэкIырт, щIэх-щIэхыурэ. КъыджаIащ цIыхур япэ дыдэу космосым (а зэманым «хьэрш» псалъэр къагъэсэбэпыртэкъым щIагъуэу) зэрылъэтар, апхуэдэ лIыгъэ зезыхьам и цIэ-унэцIэр. — Гадарин жиIа? — щIэупщIащ къызбгъурытыр. — Хьэуэ, Газаринщ, — жэуап къритащ адрейм. — Сыт фэ фызэрыдаIуэр? Гагарин Юрийщ, — пигъэщхъащ ещанэм. Мис апхуэдэ щIыкIэкIэ гъащIэм къыхыхьащ ди псэм къехуэбылIэу къыддэгъуэгурыкIуэ цIэ-унэцIэр: «Гагарин Юрий». Пэжщ, дысабийти, дэ къыдгурыIуащэртэкъым къэхъуам и мыхьэнэр зыхуэдизыр. АрщхьэкIэ псэкIэ зыхэтщIэрт дунейпсо тхыдэм нэхъапэм зэи щымыIа гуэрым дызэрыхуэкIуар. …КъызэригъэщIрэ, цIыхур уафэмкIэ доплъей, жэщкIэрэ абы къитIысхьэ вагъуэхэм йоплъ икIи йогупсыс: сыту пIэрэ абыхэм щыIэр? Ахэр щхьэ апхуэдизу лъагэ, уалъэмыIэсу? Хьэршыр сыт хуэдэу зэтеухуа? Абыхэм, нэгъуэщI куэдми, я жэуапхэр къагъуэтын папщIэщ хьэршыр къэхутэным теухуа лэжьыгъэр щIызэхаублари. Зи гугъу тщIы зэманым ирихьэлIэу абы и лъэныкъуэкIэ куэд зэфIагъэкIакIэт. Къапщтэмэ, 1957 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м Совет Союзым дуней псом щыяпэу иутIыпщащ ЩIым и спутник IэрыщI. Ар дыдэмкIэ белджылы къащIащ хьэршым улъатэ зэрыхъунур. ИужькIэ уэгу жыжьэм ягъэкIуащ Лайкэ, Стрелкэ хьэхэр. Абыхэм къагъэлъэгъуащ хьэршым псэ зыIут зэрыщылэжьэфынур. Ауэ а псори щIэдзапIэ къудейт. Хьэршыр къагъэIурыщIэнымкIэ бжьыпэр яубыдыну зэпеуэрт къэралышхуитI — СССР-мрэ США-мрэ. Дуней псор кIэлъыплъырт а зэхьэзэхуэм: япэ ищынур, зэрыгурыIуэгъуэщи, жаIэфыртэкъым. Ар белджылы щыхъуар мис а зи гугъу тщIы махуэрщ. 1961 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м дуней псор игъэзджызджащ мыпхуэдэ хъыбарым: «Урысхэр хьэршым итщ!». ХъыбарегъащIэ агентствэ псоми къатащ СССР-м и Дзэ-хьэуа къарухэм я кхъухьлъатэзехуэ Гагарин Юрий «Восток-1» кхъухьымкIэ ЩIыр хъурейуэ къызэрилъэтыхьар. Мис ар щытт уэгу жыжьэр къэгъэIурыщIэным хуэгъэзауэ дунейм къызэрытехъуэрэ цIыхубэм ича япэ лъэбакъуэшхуэу. Лэжьыгъэ ин дыдэм и гъуэгур къызэIуха хъуат! ИужькIэ абы и лъэныкъуэкIэ Iуэхушхуэ куэд зэфIагъэкIащ. США-м къихь ехъулIэныгъэхэри мащIэтэкъым, арщхьэкIэ мы IэнатIэм пашэныгъэр щызыIыгъыр СССР-рт. Псалъэм и хьэтыркIэ, ди къэралырщ хьэршым япэу цIыхубз (Терешковэ Валентинэ) зыгъэлъэтар, кхъухьым къикIыу хьэрш зэIухам япэу хыхьар (Леонов Алексей), зэман кIыхькIэ кхъухьым ису хьэршым итар (ахэр зыкъом мэхъу). Апхуэдэу зрапщытащ планетэ гъунэгъухэри къэхутэным, абыхэм я щытыкIэм ятеухуауэ куэд зрагъэщIащ. Псори зи фIыщIэр СССР-м щыщ еджагъэшхуэ ин дыдэхэу конструктор нэхъыщхьэ Королев Сергей зи пашэрт. Космосыр къэхутэным теухуа лэжьыгъэр щIэхуабжьэ зэпытщ. Пэжщ, СССР-р лъэлъэжа иужь Урысейр мы IэнатIэм нэхъ къыщыкIэрыху хъуащ. Псом хуэмыдэу иужь илъэсхэм мурад зэмылIэужьыгъуэхэм хухаха спутникхэр мэкIуэд, здынагъэсын хуей лъагапIэм нагъэсыфыркъым е къохуэх. Ар къызыхэкIари IэнатIэм зэремыгугъужырщ, абы хухах ахъшэр зэрагъэмэщIарщ. Апхуэдэу щыт пэтми, ди къэралым иджыри лъэщагъышхуэ бгъэдэлъщ. ЖыпIэнуи ирикъунщ США-м «Челленджер» ракетэ лIэужьыгъуэхэр ямыгъэлъэтэж щIыхъум (абыхэм ящыщ зыр уэгум къыщыуэри цIыхухэр хэкIуэдащ), ЩIымрэ уэгу жыжьэм цIыху ису щылажьэ Дунейпсо космос станцымрэ зэпызыщIэр ди ракетэхэм я закъуэу зэрыщытыр. Абы къыдэкIуэу Урысейми США-ми зыхуагъэхьэзыр нэхъ ди гъунэгъу дыдэ планетэм — Марсым — цIыху ягъэлъэтэну. А лэжьыгъэм тIури щызэдэIэпыкъуну къыщIэкIынущ, зэкIэ абы теухуауэ пыухыкIауэ зэгурыIуауэ щымытми. Ауэ дяпэкIэ хьэршым егъэщIылIауэ сыт хуэдэ ехъулIэныгъэшхуэ къахьми, ар нэхъ цIыкIуу щытынущ 1961 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м Гагарин Юрий хузэфIэкIам нэхърэ. МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26810.txt" }
ЩIыпIэ телъыджэхэр къыхах 2013 гъэм гъатхэпэм и 25-м щегъэжьауэ фокIадэм и 29 хъуху «Россия 1» телеканалымрэ «ГеографиемкIэ урыс зэгухьэныгъэмрэ» «Россия 2», «Россия 24», «Москва 24», «Моя Планета», «Страна» телеканалхэр, «Вести FM», «Маяк», «Радио России» радиостанцхэр, «Вести.Ru», «Страна.Ru» интернет-порталхэр, «Комсомольская правда» газетыр я дэIэпыкъуэгъуу «Россия 10» мультимедийнэ зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкI. Проектым и къалэн нэхъыщхьэр къэрал кIуэцI, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ туризмэмрэ ди Хэкум къыхуаIэ гулъытэмрэ дэIыгъынырщ, Урысейм и географие, архитектурэ, тхыдэ щIыпIэ хьэлэмэтхэм тепсэлъыхьынырщ. Проектыр нэхъыщхьэу зыхущIэкъунур щIыуэпс, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ беягъ куэд зыбгъэдэлъ ди къэралым и теплъэр нэхъри хэIущIыIу щIынырщ. ЦIыхубэ IэIэтыр къигъэсэбэпынурэ Урысейм дамыгъэ пэлъытэ хуэхъуа щIыпIэ дахи 10 зэпеуэм щагъэнэхуэнущ. УФ-м и хэгъуэгухэм щызэчэнджэщри, мы зэпеуэм хэтыну объект 700-м щIигъу къыхахащ — ахэр щIыуэпс, архитектурэ, щэнхабзэ щIыпIэ, ухуэныгъэ нэхъ телъыджэхэрщ. Дэтхэнэ щIыналъэри егугъуащ нэхъ дахэу иIэр утыку кърихьэну. Зэхьэзэхуэм хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ щIыпIэ гъуэзэджэхэри: Iуащхьэмахуэ, Гуэл щхъуантIэхэр. Шэджэм псыкъелъэхэр, Эль-Тюбю щыIэ кхъащхьэхэр, Джылы-су, Тызыл щIыунэ, Алыдж дэкIуеипIэхэр, «Iэгъэбэгухэм я тафэ», нэгъуэщIхэри http://I0russia.ru/sights/8/all интернет-хэщIапIэм уихьэмэ, ди республикэм и щIыпIэ дахэхэм щхьэкIэ Iэ зэрыпIэтынум нэмыщIи, сурэт екIухэмрэ абы теухуа тхыгъэ кIэщIхэмрэ ифлъхьэ хъунущ. Шыпш Данэху.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26813.txt" }
Сирием къикIыжахэр гулъытэншэ хъуркъым Сирие Хьэрып Республикэм къикIыжа ди лъэпкъэгъухэр ди лъахэм щекIуэкI гъащIэм тыншу хэзэгъэжын щхьэкIэ Iуэхум щыхагъэгъуазэ дерс КъБР-м ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, дин, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм Налшык къалэ щригъэкIуэкIащ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м ЦIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и къэрал комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Гызыевэ Ларисэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Темрокъуэ Иринэ, Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ министерствэм и лэжьакIуэ Къущхьэбий Артур сымэ. КъэкIуэжахэр жылагъуэм ядекIуэкIыфын, псэуфын папщIэ хабзэхэм фIыуэ щыгъуазэу щытын хуейщ. Япэ дерсым и къалэн нэхъыщхьэу щытар ди хэкуэгъухэм я хуитыныгъэхэмрэ шэсыпIэхэмрэ нэсу ягурыгъэIуэнырщ. КъищынэмыщIауэ, ахэр гугъу езыгъэхьхэм ящыщщ Урысейм и къэралыбзэр зэрамыщIэр. Абы хэкIыпIэ къыхуагъуэтащ — ди къуэшхэм урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ щрагъэдж Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №8-мрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэмрэ. Гызыевэ Ларисэ ди лъэпкъэгъухэм зэпкърыхауэ яжриIащ къэзыгъэзэжахэм ящыщ дэтхэнэ зыми, Урысейм и цIыхум хуэдэ дыдэу, социальнэ ахъшэхэр зэрыратынур, мылажьэхэм пособие щхьэхуэ къэралым къыIах зэрыхъунур, IэщIагъэ гуэрым зыхуэгъэсэнымкIэ къэрал программэхэм хыхьэн зэрыхуейр, щIэныгъэ, IэщIагъэ зрагъэгъуэтыным, лэжьапIэ увыным теухуауэ яIэ Iэмалхэр, нэгъуэщIхэри. Бынунагъуэшхуэхэм защIигъэкъуэнущ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэми. Сабиищ е нэхъыбэ зыпIхэм пособие хэхахэр иратынущ, льготэ гуэрхэр яIэнущ. Апхуэдэу зи ныбжь хэкIуэтахэр республикэм и социально-реабилитационнэ центрхэм екIуалIэ хъунущ. Илъэси 7-м щегъэжьауэ 14-м нэс зи ныбжь цIыкIухэми «Лэгъупыкъу» сабий реабилитационнэ центрым и бжэхэр яхузэIухащ. Къэзыгъэзэжахэм лэжьыгъэшхуэ ядрегъэкIуэкI Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэми. Дызэрыт зэманым абыхэм я сабии 108-рэ республикэм и курыт школхэм щоджэ. Абыхэм ящыщу 101-р — Налшык къалэ, цIыкIуитIыр — Кременчуг-Константиновскэ, тхур Благовещенскэ къуажэхэм дэт школхэм щIэсщ. НэхъыжьыIуэхэм я гугъу пщIымэ, мы гъэм еджапIэ нэхъыщхьэ щIэтIысхьэну зызыгъэхьэзырхэм Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр программэ щхьэхуэкIэ ятынущ. Дерсым и кIэухым хьэщIэхэри бысымхэри зэгурыIуащ зи хэку къэзыгъэзэжахэр Iуэхум щыхагъэгъуазэ апхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкIыну. Дохъушокъуэ Синэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26815.txt" }
ЩIыхьым и дамыгъэхэр ират Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщытхьрэ илъэс 68-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Украинэр хуит къегъэ-щIыжыным хэта ветеранхэм я пшыхь Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы жэрдэмщIакIуэ хуэхъуащ «Днипро» лъэпкъ щэнхабзэ центрыр. Ар даIыгъащ КъБР-м ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, дин, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым. Зауэм хэта ветеран 20-м а пщыхьэщхьэм иратащ «Украинэр фашист зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIагъэкIыжрэ илъэс 68-рэ ирокъу» фэеплъ медалхэр. Украинэм и Консульствэ нэхъыщхьэу Дон Iус Ростов щыIэм «Днипро» центрымрэ КъБР-м и Ветеранхэм я зэгухьэныгъэхэмрэ медаль 60 къаритащ, зыхуафэщэхэм иратыжын папщIэ. Пшыхьым щагуэша 20-м нэмыщI, адрей 40-р КъБР-м щыщ зауэлI хахуэхэм накъыгъэм и 9 хъуху Iэрагъэхьэжынущ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIа ветеранхэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщI Вэрокъуэ Владимир, КъБР-м хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, дин, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Жамболэт, Ветеранхэм я къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа, «Урысей зэкъуэт» партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и унафэщI Канунниковэ Татьянэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Ветеранхэм я щIыхькIэ къызэрагъэпэща пшыхьыр ягъэдэхащ Налшык къалэ дэт курыт школ №19-м и еджакIуэ цIыкIухэр къызэджа усэхэм, лъэпкъ, зауэ уэрэдхэр жызыIа украин ансамблым. Пщыгъуэш Iэсият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26817.txt" }
Къалэщауэ Инвер и псалъэ Адыгей. Туризмэмрэ курортхэмкIэ комитетым и унафэщI Къалэщауэ Инвер зи пашэ республикэм и лIыкIуэ гуп хэтащ иджыблагъэ Дон Iус Ростов къалэм и «ВертолЭкспо» гъэлъэгъуапIэ центрым щекIуэкIа «Дунейр гъунапкъэншэщ» туризмэмрэ зыгъэпсэхугъуэмкIэ XVI дунейпсо фестивалым. Адыгейм абы утыку къыщрихьащ щIыналъэм щыцIэрыIуэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ турист Iуэхутхьэбзэхэмрэ зэIухауэ щыгъуазэ узыщI материалхэр. «Фестивалым хэтхэми, зыплъыхьакIуэ кърихьэлIахэми ахэр гъэщIэгъуэн ящыхъуащ. Адыгейм и турист бизнесым и лIыкIуэхэм зэпсэлъэныгъэхэр ирагъэкIуэкIащ, туроператор зыбжанэм зэрадэлэжьэнум къытеувыIащ. Ростов областым щыпсэухэрщ нэхъыбэу Адыгейм и турист Iуэхутхьэбзэхэр къэзыгъэсэбэпыр, щхьэхуэу зыщызыплъыхьхэр, я зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр абы щызыгъакIуэр. Ди щIыналъэм дихьэххэмрэ туроператорхэмрэ къыхалъхьахэр къэлъытауэ а унэтIыныгъэхэм адэкIи зэрызедгъэубгъунум яужь дитынущ», — жиIащ Къалэщауэм. Гулъытэ хэха зыхуащIхэр Къэрэшей-Шэрджэс. Черкесск ящыщщ «Сабийр щыпсэун хуейр унагъуэрщ» Урысейм и къалэхэм я зэпеуэм хэтынухэм. Зэхьэзэхуэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуэнущ щIыпIэ самоуправленэмкIэ органхэм сабий зеиншэхэр, адэ-анэм я нэIэ щIэмыту къэнахэр унагъуэкIэ къызэгъэпэщыным гулъытэ хэха щыхуащI Урысейм и къалэхэм. Ахэр къыщыхахым КъШР-м и къалащхьэ Черкесск абыхэм яхэ-хуащ. ЩытыкIэ гугъум къихута сабийхэр дэIыгъынымкIэ фондымрэ Урысейм и къалэ цIыкIухэмрэ курытхэм я ассоциацэмрэ ирагъэкIуэкI а зэпеуэм хэтыну къали 186-м лъэIу ятати, къэралым и субъект 62-м я къали 167-рэ къыхахащ. Лакербая Леонид къепщытэ Абхъаз. Сирием къикIыжу адэжь Хэкум къэзыгъэзэжахэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным республикэм гулъытэ щхьэхуэ щыхуащI. Мы зэманым фэтэр 16 зыхэт коттеджи 9 яухуэ. Ухуэныгъэхэр зэрекIуэкIыр къипщытащ республикэм и премьер-министр Лакербая Леонид. Унэхэр щаухуэ Абхъазым и Гулрыпщ куейм хыхьэ Мачарэ къуажэм. Зыр и кIэм нагъэсащ, етIуанэри мыгувэу хьэзыр хъунущ, къыкIэлъыкIуэм и лъабжьэр ягъэтIылъакIэщ. ИджыкIэ унэ чэзум щытщ хэкум къэзыгъэзэжа унагъуэ 80. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26819.txt" }
Нобэ ЦIыхур хьэршым лъэтэным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэ-хъыщхьэм 2011 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ. Космонавтикэм и махуэщ. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм 1962 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м къыдигъэкIа УнафэмкIэ ягъэуващ, Гагарин Юрий 1961 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м дунейм щыяпэу хьэршым зэрылъэтам и щIыхькIэ. Илъэс 1050-рэ и пэкIэ къэунэхуащ Люксембург къэралыгъуэр. КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIумыхъу Жылэбий къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу. ТхакIуэ, публицист Къущхьэунэ Алексей и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 11 — 13, жэщым градуси 8 — 10 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26820.txt" }
ЩытыкIэм зыщагъэгъуазэ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым сабий зеиншэхэм теухуауэ иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору щыIэ Бечелов Ильяс иджыблагъэ Кременчуг-Константиновкэ дэт сабий унэм кIуащ. Бечелов Ильяс (я кум дэтщ) Бахъсэн районым щохьэщIэ. Я Iуэху зыIутымрэ нобэкIэ зрихьэлIэ гугъуехьхэмрэ хьэщIэхэм яжриIащ сабий унэм и унафэщI Къунаш Арсен. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, я деж ныбжьыщIэ 46-рэ щопсэу. Ахэр дэзыхьэхым елъытауэ гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэр мэлажьэ. Я Iуэхухэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ сыт щыгъуи мылъкукIэ дэIэпыкъуэгъу къа- хуэхъу хьэрычэтыщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ унафэщIым. ХьэщIэхэм къыхагъэщащ цIыкIухэр зыщIэс унэр жьыуэ щытми, ар зыхуей хуэзэу зэрызэрахьэр. Ауэ щыхъукIи, абы щылажьэхэр къытеувыIащ унащхьэр зэхъуэкIын, зыгъэпскIыпIэ-жьыщIапIэ комплекс ухуэн, спортым хухэха пэш ящIын зэрыхуейм. «Правительствэм ищIа унафэм ипкъ иткIэ, балигъыпIэ имыува ныбжьыщIэхэр щапI IуэхущапIэ хэхахэм мылъку яхуэутIыпщыным адэкIи хагъэхъуэнущ. Абы къыхэкIыу, къэрал органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, депутатхэм я лIыкIуэхэр яхэту лэжьакIуэ гупхэр щIыналъэхэм макIуэри, Iуэхум зыщагъэгъуазэ, дэфтэрхэр зэхалъхьэ», — жиIащ Бечеловым. Къэбарт Мирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26822.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Жыжьэ – гъунэгъу ЦIыхухэм ягу нэсу «Щэнхабзэм и махуэхэр» зэхыхьэм и етхуанэрей зэIущIэшхуэр 2013 гъэм гъатхэпэм и 31 — мэлыжьыхьым и 1-хэм Германием и Бремен къалэм пэгъунэгъу Ротенбург (Вюмме) къалэм щекIуэкIащ. Мыгъэрей зэхуэсыр къызэгъэпэщыныр зи пщэ дэлъар Европэм щыIэ Шэрджэс Щэнхабзэ Хасэхэм я Федерацэм хыхьэ Бремен Хасэмрэ Ханофер Хасэмрэт. А Хасэ цIыкIуитIым хэлэжьыхь цIыхухэр мащIэ дыдэми, я къалэнхэр IэкIуэлъакIуэу зэфIагъэкIащ, Iуэхури дахэу утыку кърахьащ. Абы егугъуа дэтхэнэ зыми фIыщIэ хуэфащэщ. Зэхуэсым къекIуэлIахэм я пэшхэр зрагъэгъуэту тIэкIуи загъэпсэхуа нэужь, гуфIэгъуэ зэIущIэм щIидзащ. Ар фIэхъус псалъэкIэ къызэIуихащ Уджыхъу Ихьсан. Нарт эпосым щыщ пычыгъуэхэр зы гупым — адыгэбзэкIэ, адрей гупым нэмыцэбзэкIэ ягъэхьэзырати, ар къагъэлъэгъуащ. ИужькIэ нэхъыжьхэр жэщыр хэкIуэтэху зэхэсащ, щIалэгъуалэми зэхаубла адыгэ джэгур жэщ ныкъуэ хъуху екIуэкIащ. ЕтIуанэ махуэр зытеухуауэ щытар Сирием ис адыгэхэрщ. Европэм щыIэ Шэрджэс Щэнхабзэ Хасэхэм я Федерацэм и тхьэмадэ ТIамжьыкъуэ Умар Фарукъ къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ адыгэхэм я тхыдэм, щекIуэкI зауэм ди лъэпкъэгъухэм лей къазэрыщытехьэм. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Къущхьэ Догъэн тепсэлъыхьащ СХьР-м икIыу Тыркум Iэпхъуа ди къуэшхэм я Iуэху зыIутым, ахэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ «КАФФЕД» зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм. Куэд тепсэлъыхьащ къаIэта Iуэхум, «удзыфэхэм» ящыщу нэмыцэ парламентым хэт Унал Арифи и гупсысэхэр къигъэлъэгъуащ. АдэкIэ къэпсэлъащ Гуней Марзиет. Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ пасэрей зэманым адыгэхэм сабийр къыщалъхуа махуэм щегъэжьауэ балигъ хъуху кIэ-лъызэрахьэу щыта хабзэхэм. Дохутыр цIэрыIуэ Файди Махьмуд тепсэлъыхьащ дохутырхэм илъэс къэс ирагъэкIуэкI дунейпсо конгрессым, икIи ар илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм Налшык, Истамбыл, Амман зэрыщызэхуэсар сурэтхэмкIэ яригъэлъэгъуащ, 2013 гъэм конгрессыр Берлин къыщызэрагъэпэщыну зэрамурадыр къыхигъэщащ. ЗэIущIэм и кIэух пщыхьэщхьэм Къущхьэ Догъэнрэ «Гугъэ» гупымрэ зыхэта концерт екIуэкIащ. Программэм щымыщыххэу франджы бзылъхугъэ Бартелеми Алинэ (Barthеlemy Aline) и анэдэлъхубзэкIэ игъэзэщIа уэрэдымрэ адыгэбзэкIэ жиIа «Си нанэ»-мрэ телъыджэ хъуат. Концертым Iэгуауэшхуэ щаIэту, адыгэ макъамэхэм къадэфэу зэрекIуэкIар пшыхьыр цIыхухэм ягу зэрынэсам и нэщэнэт. Къыхэгъэщыпхъэщ мыгъэрей зэхуэсым цIыхушхуэ зэрызэхуишэсар, уеблэмэ сабий зыщIыгъу унагъуэ куэдми абы зыкърагъэхьэлIат. Ар икъукIэ щхьэпэт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, программэм хэтт нэхъ цIыкIухэм яхухэха Iыхьи. Къыхэгъэщыпхъэщ, гъэ къэс екIуэкI щэнхабзэ зэхыхьэм и къалэныр гъэзэщIа зэрыхъуар. Абы къыпызыщэ еханэ зэIущIэр етIанэгъэ Берлин щызэхэтынущ. Къумыкъу Уэхьбий. Берлин. Шхыныгъуэхэр ШатэпскIэ гъэбэкхъа джэш Абы щхьэкIэ джэш гъэвар тIэкIу ягъэжэпхъ, шыуанкIэ тхъу ягъэткIу, абы щимэ цIыкIуурэ упщIэта бжьын халъхьэри, чымчыркIэ зэIащIэурэ ма-фIэ щабэм тету ягъэлыбжьэ, гъуэжьыфэ къытеуэху. Шыбжий сыр хаудэри, хьэзыр хъуху ягъэлыбжьэ. ИтIанэ а бжьын лыбжьам шатэпсыр хакIэри, зэIащIэурэ мафIэ щабэ дыдэм тету къагъэкъуалъэ дакъикъитху-хыкIэ. Абы, зэIащIэурэ, шатэпскIэ зэхэщIа гуэдз хьэжыгъэ хакIэ, шыуаныщхьэр ныкъуэтепIэ ящIри, тхъу къыщIидзыхукIэ къагъэкъуалъэ. ИтIанэ абы, хуэсакъыу зэIащIэурэ, джэш вар хакIутэ, зэIащIэурэ бжьыныху уба халъхьэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, дакъикъи 5 — 6-кIэ ягъэбэкхъ. Шыуаныр къытрахыж, джэдгын хаудэри, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъи 4 — 5-кIэ щагъэтщ, нэхъ IэфI хъун, мэ дахэ къыхихын щхьэкIэ. Iэнэм щытрагъэувэнум и деж зэIащIэ, тепщэчым иралъхьэри, пщтыру яшх. Дашх пIастэ, хьэлIамэ, щIакхъуэ. Хуабжьу шхыныгъуэ къэуатщ. Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): Джэш гъэвауэ — грамми 120-рэ Шатэпсу — грамми 160-рэ Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамм 30 Гуэдз хьэжыгъэу — грамми 10 Тхъууэ — грамм 30 Бжьыныху укъэбзауэ — грамм 25 -рэ Шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз. Къубатий Борис. Телъыджэ Псы уардэунэ Индонезием хыхьэ Бали хытIыгум щIыпIэ телъыджэ иIэщ. ХытIыгум и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ, бгы лъабжьэм псы къабзэ къыщыщIож. Абы щыпсэухэм пщIэшхуэ хуащI щIым и кууупIэм къыщIэж псым икIи арауэ къалъытэ гъащIэщIэм къежьапIэ хуэхъур. Абы къыхэкIыу, а щIыпIэм дин хабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI, тхьэелъэIупIэу яIэщ. И хъуреягъым и дахагъымрэ хьэуа къабзэмрэ дихьэхри, Раджа Карангасему къалэщIыб унэ щиухуэну мурад ищIыгъащ абдеж. Ар зэфIэкIауэ щытащ 1942 гъэм. ИкIи а резиденцэм Тиртагангэ фIащащ («Тирта» — псы, «Гангэ» — Индием щежэх Ганг псырщ). Зи гугъу тщIы щIыпIэ телъыджэм гектар 1,2-рэ еубыд. Псы уардэунэр архитектурэ и лъэныкъуэкIэ щIыпIищу зэпычащ, зыр зым и щхьэм тету, скульптурэ пщIы бжыгъэхэр итщ. Япэ комплексым гуэлищ ущрохьэлIэ, етIуанэм ущес хъу псыгуэн зыбжанэ итщ, ещанэр резиденцэр зейуэ щыта Раджа и хэщIапIэу ялъытэращ, ар тхьэм хиха щIыпIэу ябжри, абы къыщыщIэж псыхэр дин дауэ- дапщэхэм къыщагъэсэ- бэп. Зи гугъу тщIы Псы уардэунэм китай, бали лъэпкъхэм я хабзэм тету щIа архитектурэ ухуэныгъэхэм ущрохьэлIэ. Телъыджэщ ахэр зэпуплъыхьыну, псыщхьэм тет мывэ щIимыгъэмбрыуэхэм утету къэпкIухьыну… «Кабардинка» гупыр къофэ. Сурэтыр УЭЛДЖЫР Артур трихащ. 1998 гъэ Гейдук Ярослав Жэнэт куэбжэ ХIХ лIэщIыгъуэм икухэм деж Чехием кърашри къуажищ ЦIэмэз тафэм щагъэтIысауэ щытащ — Мефодиевкэ, Кирилловкэ, Владимировкэ. А жылищри Новороссийск и гъунэгъуу илъэс 60-м нэблагъэкIэ щыпсэ-уащ. Чех усакIуэ Гейдук Ярос-лав (1863 — 1918 гъ.гъ.) и къуэшхэмрэ и шыпхъухэмрэ 1870 гъэм къакIэлъыкIуэри, адыгэхэм я хэкур зригъэлъэгъуащ, чех къуажэхэми щыпсэуащ. Нобэ тыдодзэ Гейдук адыгэ хэкум щитха зы усэ. Жэнэт куэбжэщ ауз цIыкIу щIэращIэр, ЗэкIужрэ дахэу чех нысащIэу. И хъуреягъкIэ къуршыжь лъагэхэр щоплъыр, Дахьэхыу зэ нэхъ мыхъуми къатеплъэр. Мархъуэтхи и ныбжь кIыхьхэр щызэрехъэ, Шэрджэсми и щхьэ пагэр къыхуегъэщхъыр. Пщащэр псы гъуджэм иригъэплъэну, Iузэви щэхуу къехьыр и толъкъуныр. НысащIэр къогуфIыкIыр тенджыз гъуджэм. Удз дахэхэр щыгъагъэу и нэ джыджым. Дыгъэ бзийхэм, зашыхьри пшэкIухьу, Дыщэпс хъарыр кърапхъух нысащIэм и щхьэм. ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ. Хъуэхъу Зеикъуэ къуажэм щыщ Шыгъушэ Хъусен Iэмин и къуэр мэлыжьыхьым и 13-м илъэс 50 ирокъури, дохъуэхъу Адыгэм цIыхухъур лIыпIэ щиувэу къилъытэ ныбжьым узэрынэсар нобэ уогъэлъапIэри, къыпхужаIэну хъуэхъу псори къыплъысыну ди гуапэу дынохъуэхъу. Уи гур зэIухарэ уи псэр къабзэу, цIыху хьэлэлу дунейм утетщи, абы и сэбэп къокIыну, уи лэжьыгъэм и хъер плъагъуну, уи жьэгур уардэунэу, хьэщIэ етIысэхыпIэрэ унапIэ махуэу, уи анэр къыпщхьэщыту, уи щхьэгъусэр къыпкъуэту, уи быным я насып плъагъуну Тхьэм жиIэ. УсакIуэ цIэрыIуэ Бемырзэ Мухьэдин «Адыгэу упсэуным къикIыр зыщ — Уадыгэну къыпкъуэкIынырщ лIыгъэ» и сатырхэм яхилъхьа купщIэми уращапхъэрэ уи лъэпкъыр, лъахэр абы иригушхуэу, дэрэжэгъуэр уи куэду уи гъуэгуанэр кIыхь хъуну Тхьэм жиIэ. Шыгъушэ лъэпкъым и тхьэмадэ Шыгъушэ Хьэбил. ЖыIэгъуэхэр Зэманыр зэзыгъэзахуэр акъылырщ «Iей здэщымыIэм фIы щыIэкъым», — жаIэ цIыхухэм, пцIыуэ яча лъэбакъуэм гъуэгущIэ къащыхузэIуихым деж. IуэхуфIым цIыхум и къарум хегъахъуэри, псэкIи нэхъ къулей ещI. Хахуагъэ здэщыIэм ехъулIэныгъэри, фIыгъуэри, насыпри щыIэщ. Зэманыр зэзыгъэзахуэр акъылырщ. ПэщIэдзэр сытым дежи лъапIэщ. Гъуэгуанэ жыжьэри, гъунэгъуу къыщIедзэ. ЦIыхубзым и гур къэпхьэхун щхьэкIэ гъэру зептын хуейщ. Хъурей Феликс. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 5. Пхъум и щхьэгъусэ. 8. IэщIэвыщIэ. 9. Машинэ зэжьэхэуэм щIалэм … хихащ. 10. КъалэцIэ, псыежэхым и цIэ. 13. Джэдум сабий нэхъ цIыкIухэр зэреджэр. 14. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлIэ шы лъэрызехьэ: икIи мэпсалъэ, икIи мэлъатэ. 17. Си гъунэгъу лIыр цIыху мыхьэнэншэщ, … фIыцIэжь и уасэкъым. 18. Гъатхэм пасэу щIым къыхэж удз гъэгъа шакъафэ-къащхъуафэ. А удзыр ЩоджэнцIыкIу Алий и усэхэм щигъафIэу щытащ. 20. … пыIэ. 22. АдакъэщIэрэ … пIастэрэ. 26. Хугу хьэжыгъэм, тхъум, фошыгъум къыхэщIыкIа адыгэ шхыныгъуэ. 27. Гу кIуэм … къыкIэреуд. 28. А щIалэр зэрыцIыху пэжымкIэ сэ … соувэ. 29. КIапсэ къызыхах къэкIыгъэ. 31. Щыхьэтыншэу, хабзэншагъэу зэIэпах ахъшэ е нэгъуэщI мылъку. 33. Сабий къииныр, гъыринэр зэрагъэудэIу. 35. ЩIыIэ егъэлея. 37. Хадэм зэрилэжьыхь. 38. Жьы къемыпщэу, хьэуар пхуримыкъуу дунейр щыхуабэвэх зэман. 40. БэнэкIэ хуитымкIэ дуней псом и чемпион зыбжанэрэ хъуа Махуэ Билал Iэпкълъэпкъ … иIэщ. 43. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ цIыхур щыту малIэ. 44. Чынтхэм нэмыщI, а лъэпкъ цIыкIу-жьейри нартхэм я ныкъуэ- къуэгъуу щытащ. 45. Къуажэдэс унагъуэм и фIэIугъэхэр щIымахуэм щихъумэ хабзэ. Къехыу: 1. ГъэшхэкI. 2. … жьгъей. 3. Колхоз тхьэмадэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 4. ИлъэситI-щы зи ныбжь шыщIэ мыгъасэ. 6. Шыуанышхуэ. 7. ХадэхэкI. 10. Мэлыц щабэ. 11. Абы нэхъ псэущхьэшхуэ псэ зыIутым яхэткъым. 12. Чы цIыкIум къыхэщIыкIа кумбыгъэ — нартыху, нэгъуэщI ерыскъыхэкI хуэдэхэр иризэрахьэу щытауэ. 15. Адыгэ пшынауэ цIэрыIуэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист. 16. Къэбэрдей усакIуэ, зэдзэкIакIуэ. 19. Дыгъэ къыщIэкIыгъуэм уафэм щыплъагъу плъыжьыгъэ. 21. Дзыдзэ лъэпкъым щыщ псэущхьэ. 23. ГъущI теIущIыкIыпIэ. Языныкъуэ джэдкъазхэм я щхьэщыгум тет лы IупщIэми апхуэдэу йоджэ. 24. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 25. Литературэ тхыгъэ. 30. Зи пхъафэр хужьыфэ, зи тхьэмпэ цIыкIухэр бжьыхьэм гъуэжь дахэ хъу жыг. 32. Чыржын, мэжаджэ, хьэтыкъ… 34. Уэшхми дыгъэми ущехъумэ. 35.Чейм къыдекIуэкI «бгырыпх». 36. Мывэ блын задэ. 37. ХадэхэкI. 39. Лъахъстэн вакъэ пIащIэ. 41. Iэщхэм я тхьэу къалъытэу щыта. 42. « … бэлътокур уей, жи, уей, Iэгум йокIуадэр уей, жи, уей» — цIыхубэм яуса уэрэд цIэрыIуэм щыщщ. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26827.txt" }
Зи гъуэгуанэр щIыхь пылъу зыкIу Литературэр зыхъумэ, тхакIуэхэм я дэIэпыкъуэгъу Къэбэрдей-Балъкъэрми Къэрэшей-Шэрджэсми я адыгэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм я хьэщIэщкIэ уеджэми ущымыуэну «Iуащхьэмахуэ» журналым и тхыдэм, и нобэм тедгъэпсэлъыхьащ редактор нэхъыщхьэм и къалэнхэр илъэс зыбжанэкIэ зыгъэзэщIа, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф. — «Iуащхьэмахуэ» журналыр къыдэкIын зэрыщIидзэрэ илъэс 55-рэ мэхъу. Абы и пэкIэ ди тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, ягу зыхуэзэгъа тхыгъэхэр къытрадзэрт «Къэбэрдей» и фIэщыгъэу къыдэкIыу щыта альманахым, — къыщIидзащ и псалъэхэм Кашиф. — ТхакIуэхэм я союзым мазищым зэ къыдигъэкI альманахыр урысыбзэкIи адыгэбзэкIи дунейм къытехьэрти, тхылъеджэхэм я деж нихьэсырт ди тхакIуэхэм я лэжьыгъэхэр. СышколакIуэу абы сыкъызэрыкIуэу щытар сощIэж. Абы и къыдэкIыгъуэхэр зи пщэ дэлъ, и лэжьакIуэ нэхъыщхьэу щыта КIуащ БетIал и чэнджэщхэм уедэIуэну щхьэпэт. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, ди тхакIуэхэр нэхъыбэ къэхъуу хуежьащ. Зауэ нэужь зэманым ди литературэм къыхыхьащ абы зезыгъэужьа тхакIуэфI куэд — Теунэ Хьэчим, Шортэн Аскэрбий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Къашыргъэ ХьэпащIэ, Къардэн Бубэ сымэ жыпIэми, нэгъуэщIхэри. Ахэр жыджэру лажьэрт, еш, щхьэх жыхуэпIэр ямыщIэу я къулыкъури, альманахыр къыдэгъэкIынри, творчествэри дэгъуэ дыдэу зэдахьу. 1930 гъэхэм и кIэм лъэпкъым къыхэжэпхъыкIа тхакIуэ куэд яукIа пэтми, мыдрей къэна нэхъыжьхэмрэ къалэмыр зыгъэунэхухэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм альманахыр пэмылъэщыж хъуащ. Ауэрэ 1957 гъэр, «Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 мэхъу» жиIэу тхыдэм къыхэнар, тхакIуэхэм къагъэсэбэпыну мурад ящI. ИкIи къохъулIэ: ди республикэм и унафэщIхэр Москва щылъаIуэу щIадзэри, а гъэ дыдэм «Iуащхьэмахуэ» журналыр къызэрагъэпэщ. Япэ редактор нэхъыщхьэу абы ягъэув Щомахуэ Амырхъан. Амырхъан япэхэми къулыкъу зэрихьэу, республикэм и унафэщIхэми партми я деж пщIэшхуэ щиIэу, цIыхухэм я пащхьэм ихьэфу лIы губзыгъэти, дзыхь къыхуащIа къалэным гугъу демыхьу пэлъэщырт. — «Iуащхьэмахуэм» и редакцэм щылэжьахэм, абы и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт. — Амырхъани тхакIуэ нэхъыжьхэри зэчэнджэщурэ, лэжьакIуэ хъунухэр кърагъэблагъэу щIадзэ. Абы жэуап зыхь секретару къашэ журналист хъарзынэ, «Ленин гъуэгу» газетым куэд щIауэ щылажьэ Шырыт Хьэтызэ. Москва Литературэ институтыр къыщызыухыу къэзыгъэзэжа Шэвлокъуэ Пётррэ Мысачэ Пётррэ прозэмрэ усыгъэмрэ я къудамэхэм я унафэщI ящI. 1953 — 1958 гъэхэм ди къэралым и къалащхьэм щыIа Адыгэ театр студием ди анэдэлъхубзэр щезыгъэджа КIурашын БетIал журналым драматургиемрэ критикэмкIэ и къудамэр и пщэм иралъхьэ. Хъарзынэу гъуэгу теувауэ махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зиузэщIурэ екIуэкIырт журналым и Iуэхур. Зэман докIри, Амырхъан КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым жэуап зыхь секретару ягъакIуэ, Литературэ институтым и курс нэхъыщхьэхэр къэзыухыу къэкIуэжа ЩоджэнцIыкIу Iэдэм редактор нэхъыщхьэ ящI. ТхакIуэхэм я союзым и правленэм и унафэщIу ягъэувакIэт тхакIуэ цIэрыIуэ, къулыкъу зыIэщIэлъурэ къекIуэкI КIыщокъуэ Алим. Ар РСФСР-м и ТхакIуэхэм я союзым и секретару хах. Абы щыгъуэм ираджэурэ илъэсым мазитI-щыкIэ Москва щыIэу арати, 1970 гъэм къалащхьэм яшапэри, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм ди ТхакIуэхэм я союзым и тхьэмадэу ягъэув, журналым и къудамэм щылажьэ Тхьэгъэзит Зубер редактор нэхъыщхьэ ящI. Сэ а гъэ дыдэм «Iуащхьэмахуэм» сыкъэзышауэ щытар Зуберщ икIи илъэс 42-м щIигъуауэ мы журналым сыщолажьэ. Лэжьыгъэр хъарзынэу екIуэкIырт — псом я щхьэр тхакIуэти, ди куэдт. Ахэр хуабжьу жыджэру лажьэрти, я тхыгъэхэр къытеддзэныр къащылъысынум ежьэн хуей хъурт. Дауэ къыпщыхъурэт КIыщокъуэ Алим хуэдэ цIыхушхуэхэр я тхыгъэр къытехуэным мазэ бжыгъэкIэ пэплъэну?! Абы щыгъуэм, теддзэныр зэрыгъунэжым игъэгушхуахэу, журналыр мазэм зэ къыдэкIын хуейуэ къаIэтат, арщхьэкIэ яхупхыгъэкIатэкъым. Зэман докIри, журналым и редактор нэхъыщхьэу тхакIуэ Iэзэ, щIалэ зэпIэзэрыт, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI Къэрмокъуэ Хьэмид ягъэув. А зэманым журналым щылэжьащ КIэщт Мухьэз, Гъубжокъуэ Лиуан, Балъкъэр Фоусэт сымэ, нэгъуэщIхэри. Хъарзынэу Хьэмид дыдэлажьэу екIуэкIыурэ 1977 гъэр къосри, ар «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм унафэщIу ягъакIуэ. Шэвлокъуэ Пётр жэуап зыхь секретарти, редактор нэхъыщхьэ ящIри, абы и пIэм сэ сагъэув. Абы лъандэрэ а къалэныр изохьэкI. Пыплъхьэни пыпхыни щымыIэу Пётр щIалэ Iэзэт, Москва Литературэ институтыр къыщиухауэ. Властыр къутэжу щыхуежьам, 1991 гъэм ТхакIуэхэм я союзым и унафэщIыр ямыгъэуву ар дэ езым хэтхыжыныр ди пщэм къыдалъхьэ. Журналым и редактор нэхъыщхьэри апхуэдэ щIыкIэкIэ ягъэув хъуат. Абы щыгъуэм IутIыж Борис а къулыкъум хахат. А гъэм и мазаем щыщIэдзауэ 2008 гъэм и жэпуэгъуэм и кIэм Борис дунейм ехыжыху, илъэс 17-кIэ, лэжьати, Iуэху дэпщIэнуи удэгъуэгурыкIуэнуи тыншт, щIалэ ахъырзэмант. Щхьэхуэу ущIытепсэлъыхьын щымыIэу, псоми фIы дыдэу ящIэ IутIыж Борис цIыху гъуэзэджэу, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа тхакIуэу зэрыщытар. — Иужьрей илъэсхэм щIэуэ сытхэр фиIэ, Кашиф, сытым фыщыгуфIыкIрэ? — ИщхьэкIи зэрыщыжысIащи, мыбы щылажьэхэм ди тхыгъэ теддзэну къытлъымысыжу журналым и напэкIуэцIхэр зэпэубыдат. ТхакIуэ къезбжэкIахэри, иужькIэ абыхэм къахыхьахэу Нало Ахьмэдхъан, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ, Журт Биберд сымэ, нэгъуэщIхэри хуабжьу гуащIафIэт. 1950 гъэхэм и кIэхэми ди литературэм щIалэгъуалэ гуп хъарзынэ къыхыхьауэ щытащ — Тхьэгъэзит Зубер, Къэжэр Пётр, Гъубжокъуэ Лиуан, Къагъырмэс Борис, Журт Биберд, Хьэх Сэфарбий сымэ, нэгъуэщIхэри. Литературэм хуабжьу дихьэхыу щытащ цIыхухэр, иджы, ди жагъуэ зэрыхъущи, ар щыIэжкъым. Тхыгъэу къытхуахьыр мащIэ дыдэщ. Абы и щхьэусыгъуэхэм ящыщу къыщIэкIынщ тхакIуэхэм я пщIэр зэрехуэхар. — «Iуащхьэмахуэ» журналыр зыIууа гугъуехьхэм ящыщхэм къытхутепсэлъыхьыт, Кашиф. — Усэхэр, прозэ, критикэ тхыгъэхэр гъунэжт нэхъапэм. Иджыпсту критикэ щыIэкъым жаIэ. Ар щыIэнкIэ Iэмал иIэкъым, литературэ уимыIэу. Литературэм и къэухьыр нэхъ цIыкIу зэрыхъуар, зэреупIэхар и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэщ критикэ зэрыщымыIэм. Япэм щыгъуи ди Iуэхур а лъэныкъуэмкIэ фIы дыдэу щытауэ пхужыIэнукъым — дыщыпсэу щIыналъэр цIыкIущ, псори гъунэгъуу зэрыцIыхурти, адыгагъэм зыдрагъэхьэхырт, зым и жагъуэ адрейм зэримыщIыным яужь итт. Ди тхакIуэ нэхъыжьхэми дагъуэ яхуэпщIу ядэнутэкъым. Журналыр гугъуехь гуэрхэм Iумыуэу къэнакъым, псом хуэмыдэу тхакIуэхэр партым и гъуоуэ щыщыта совет лъэхъэнэм. Шортэн Аскэрбий итха «Шэм бдзэжьей къыхэкIащ» рассказым щхьэкIэ редакцэр зэ ягъэлъауэ щытащ. Абы зи гугъу щищIарат: шэр уасэ екIурабгъукIэ уэрамхэм щащэн хуейти, шофер бзаджэжьым машинэр я деж дихуэри, зыхуейм хуэдиз къыхигъэжащ. Псыхъуэм дыхьауэ «щыщхьэщигъэхъуэжым» бдзэжьей дэкIуащ. Ар гушыIэрэ ауанрэ щIэлъу бзэ шэрыуэкIэ итхыжат Шортэным… ЕтIуанэр Нало Ахьмэдхъан и тхыгъэт. Ар зыщыщ Хьэтуей къуажэм и гупэм деж колхозыщI щылът. ХъумакIуэ ягъэув е ар къахухь нэхърэ нэхъ хэкIыпIэфIу жылэ унафэщIхэм къалъытауэ, абы хыхьэ Iэщхэр яхурти щIаубыдэрт, зейхэм къетхьэкъурт. КъагурымыIуэм, ящIэну зыхуэмейм гу лъебгъатэу ядэнт?! Абы щыгъуэ сабэр дэзыпхъея район унафэщIым журналым щыщ щIалэ хъарзынэ гупыр къиужьыгуу, псалъэ мыфэмыцхэр къажриIэу срихьэлIауэ щытащ сэ, телевиденэм сыщылажьэу IуэхукIэ редакцэм сыщIыхьауэ. — ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа тхакIуэхэр зы зэманым «Iуащхьэмахуэм» «къызэIуихахэщ», Кашиф. Иджыпсту журналым зи тхыгъэ къытехуэ ныбжьыщIэу хэт сымэ фиIэ? — Журналым мис мыбы и цIэр къызэIуихащ схужыIэнукъым, ауэ хъыджэбз хъарзынэхэр щыIэщ, уси прози ятхыу. Си гукъеуэр щIалэхэм тхэ щIагъуэу зэрахэмытырщ. Бзылъхугъэхэм зыгуэркIэ сахуэмыарэзыуэ е я щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ шэч къытесхьэу аракъым, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, унагъуэ ихьа иужь абыхэм я нэхъыбэм тхэн щагъэтыж. Къапщтэмэ, ГъукIэ Маринэ и рассказ хъарзынэхэу «Джэду фIыцIэ», «Дохутыр делэм и щхьэгъусэ» зыфIищахэр теддзащ. ГъэщIэгъуэну, адрейхэм емыщхьу зэхелъхьэ, бзэ дахи иIэщ. Къаныкъуэ Анфисэ и «Синэмис», «Лъагъуныгъэ» повестхэри, нэгъуэщI тхыгъэхэри дэри журналым еджэхэми дигу ирихьауэ щытащ. — Журналым и тиражыр минитI фIэкIа щхьэ мыхъурэ? — Журналым цIыхухэр йоджэ, куэдрэ телефонкIэ къэпсалъэурэ къыкIэлъыкIуэ номерыр щаIэрыхьэнум щIоупщIэ. ФIы дыдэуи Iэ традзэ, къалэ школхэм яхэтщ 50-м щIигъу зыхуэкIуэхэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хуей псоми яIэрыхьэну Iэмал яIэкъым, журналым и бжыгъэр минитI фIэкIа зэрымыхъум къыхэкIыу. Ар ди республикэм и Правительствэм иубзыхуа бжыгъэщ, зэкIэ зыри пхуещIэнукъым. Iэмал гуэр щыдгъуэтым и деж экземпляри 100 — 200-кIэ нэхъыбэ дощI. — ЕфIакIуэ зэпыту иджыри илъэс куэдкIэ Тхьэм къыдигъэкI журналыр, Кашиф. Епсэлъар ИСТЭПАН Залинэщ. Редактор нэхъыщхьэу щытахэр Щомахуэ Амырхъан Щомахуэ Амырхъан Адыгэ сабий литературэр зэхэзыублахэм ящыщщ Щомахуэ Амырхъан Къамызэ и къуэр. Абы и къалэмыпэ къыщIэкIащ нэхъ цIыкIухэми балигъхэми гукъинэ ящыхъуа усэ, рассказ, повесть хьэлэмэтхэр, роман, драматическэ тхыгъэ зыбжанэ. Амырхъан къыщалъхуар Тэрч районым хыхьэ Курп Ищхъэрэ къуажэрщ, 1910 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м. Ар щеджащ къуажэм дэта пэщIэдзэ школым, Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIури (Налшык къалэ) къиухащ. ЩIэныгъэм зыIэпиша щIалэр иужьыIуэкIэ щеджащ Орджоникидзе (Владикавказ) дэт Кавказ Ищхъэрэ педагогикэ институтым. Илъэс зыхыблкIэ ар щылэжьащ Налшык педтехникумым, япэ щIыкIэ и егъэджакIуэу, итIанэ абы и унафэщIу. 1938 гъэм Амырхъан ягъэуващ «Социалистическая Кабардино-Балкария» газетым и редактору. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Щомахуэр Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и комиссарщ. Ар лэжьащ партым и райкомым и япэ секретаруи, республикэм щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министруи, «Къэбэрдей пэж» газетым и редакторым и къуэдзэуи. 1958 гъэ лъандэрэ къыдэкI «Iуащхьэмахуэ» журналым ар и япэ редактор нэхъыщхьэщ. А IэнатIэм ар пэрытащ 1965 гъэ пщIондэ. 1965 — 1970 гъэхэм Амырхъан лэжьащ республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм жэуап зыхь и секретару. Амырхъан Къэбэрдей-Балъкъэрым фIыуэ къыщацIыху усакIуэт. Лъэпкъ литературэмрэ гъуазджэмрэ зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэр къалъытэри, Щомахуэ Амырхъан 1979 гъэм къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБАССР-м и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэхэр. ЩоджэнцIыкIу Iэдэм ЩоджэнцIыкIу Iэдэм УсакIуэ, тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Iэзэт ЩоджэнцIыкIу Iэдэм Угъурлы и къуэр. Ар къыщалъхуар Бахъсэн районым щыщ Кушмэзыкъуей къуажэрщ. Абы курыт еджапIэр къыщиуха нэужь, зы илъэскIэ колхозым щылэжьауэ, ар щIотIысхьэ Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIум. ИужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым илъэсищкIэ щеджауэ, Дыгулыбгъуей къуажэм егъэджакIуэу ягъакIуэ. Ар абы щолажьэ илъэсрэ ныкъуэкIэ. 1939 гъэм ЩоджэнцIыкIу Iэдэм ТхакIуэхэм я союзым хагъэхьащ. 1941 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм щегъэжьауэ Iэдэм шууей дивизэм хэтащ. Зауэ IэнатIэм здыIутым, абы зэхуэдэу егъабзэ фочри къалэмри. Ар ящыщщ Кавказыр, Украинэр, Молдавиер хуит къэзыщIыжа зауэлIхэм, адэкIэ Румынием, Венгрием, Австрием, Чехословакием щызэуахэм… Зауэ нэужьым Iэдэм къулыкъу зыбжанэ зэрихъуэкIащ, жылагъуэ лэжьыгъэшхуэхэр иригъэкIуэкIащ. 1947 гъэ пщIондэ ар Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ и секторым и унафэщIу лэжьащ. 1941 — 1951 гъэхэм Къэбэрдей педагогикэ институтым и егъэджакIуэщ. 1954 гъэм Iэдэм хах республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и тхьэмадэу, 1955 — 1956 гъэхэм Къэбэрдейм щэнхабзэмкIэ и министрщ. 1965 — 1970 гъэхэм ЩоджэнцIыкIу Iэдэм «Iуащхьэмахуэ» журна-лым и редактор нэхъыщхьэщ. Iэдэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, Мамырыгъэр хъумэнымкIэ республикэ комитетым и унафэщIу мызэ-мытIэу хахащ, ди литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэм папщIи «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэр (1969 гъэм), Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь орденыр (1976 гъэм) къыхуагъэфэщащ. Тхьэгъэзит Зубер Тхьэгъэзит Зубер КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Тхьэгъэзит Зубер Мухьэмэд и къуэр Тэрч районым хыхьэ Мэртэзей (Дей) къуажэм къыщалъхуащ. Школыр къиуха нэужь, Зубер щIэтIысхьащ Къэбэрдей къэрал пединститутым и тхыдэ-филологие факультетым адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ и къудамэм. 1960 гъэм къыщыщIэдзауэ 1965 гъэ пщIондэ Тхьэгъэзитыр «Советская молодежь» газетым щылэжьащ. 1965 — 1971 гъэхэм ар «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактору, итIанэ редактор нэхъыщхьэу щытащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэс тIощIым Зубер ТхакIуэхэм я союзым жэуап зыхь и секретарщ, 1991 — 1994 гъэхэм абы и тхьэмадэщ. Тхьэгъэзитым тхэн щыщIидзар 1949 гъэрщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ усэ, поэмэ, тхыгъэ куэд. Зубер и IэдакъэщIэкIхэр зэрадзэкIауэ я анэдэлъхубзэхэмкIэ йоджэ украинхэр, латышхэр, куржыхэр, ингушхэр, шэшэнхэр, абхъазхэр, балъкъэрхэр, азербайджанхэр, болгархэр, венгрхэр, хьэрыпхэр. Езы Тхьэгъэзитым адыгэбзэкIэ ди пащхьэ кърилъхьащ Руставели Шота и «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлI» тхыгъэр, Мечиев Кязим и усэхэр, Пушкин Александр и усэхэмрэ поэмэхэмрэ щыщхэр, нэгъуэщI куэди. Зубер Комсомол саугъэтым (1965), КъБАССР-м и Къэрал саугъэтым (1981) я лау- реатщ. Къэрмокъуэ Хьэмид Къэрмокъуэ Хьэмид ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, зи анэдэлъхубзэр дахэу зыгъэшэрыуэ Къэрмокъуэ Хьэмид Гъузер и къуэм лэжьыгъэ купщIафIэхэр къызэринэкIащ, IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ ятриухуа и IэдакъэщIэкIхэр тхылъ- еджэхэм гунэс ящыхъуащ. Хьэмид къыщыхъуар Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэрщ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар щоджэ Къэбэрдей къэрал пединститутым филологиемкIэ и факультетым. Илъэс зытIущкIэ Хьэмид «Ленин гъуэгу» газетым щолажьэ, иужькIэ «Iуащхьэмахуэ» журналым критикэмкIэ и къудамэм и унафэщIу ягъакIуэ. Абы и зэфIэкIхэр къалъытэри, а журнал дыдэм и редактор нэхъыщхьэ ящI ар (1972 гъэм). ИлъэситхукIэ а къалэным пэрытауэ, Хьэмид ягъакIуэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщIу. Нэхъ иужьыIуэкIэ ар «Адыгэ псалъэ» газетым мэувыжри, илъэс зыбжанэкIэ абы щолажьэ. ЩIэныгъэлIым и лэжьыгъэхэм щIыпIэ ин щаубыд япэ лъэпкъ узэщIакIуэхэм, адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм, ди зэманым жыджэру хэт тхакIуэ-усакIуэхэм я творчествэр зэпкърыхыным. Абы иIэщ КIэрашэ Тембот, Гулиа Дмитрий, Iэщын Хьэзрэт сымэ ятеухуа тхыгъэ хьэлэмэтхэр. Сабийхэм фIыуэ ялъэгъуащ Къэрмокъуэм и «Жыр пыIэ», «Бажэ пшынэ», «Таурыхъхэр», «Нартхэр» тхылъхэр. «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр зыфIаща цIыху гуащIафIэ икIи зэдзэкIакIуэ Iэзэщ. Абы адыгэбзэм къригъэзэгъахэм, зэридзэкIа тхыгъэхэм ящыщщ Къаз-Джэрий и «ХьэжытIэгъуей аузыр», КIашэ Адэлджэрий и рассказхэр, «Абрэджхэр», «Iуащхьэ щыгум», повестхэр, Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романыр, Къандур Мухьэдин и «Кавказ» романыр, нэгъуэщI куэди. Шэвлокъуэ Пётр Шэвлокъуэ Пётр Шэвлокъуэ Пётр Жэбагъы и къуэр Аруан районым щыщ Старэ Шэрэдж къуажэм 1927 гъэм къыщалъхуащ. 1944 гъэм къыщыщIэдзауэ 1945 гъэм нэсыху Шэвлокъуэр «Къэбэрдей пэж» газетым корреспонденту щылэжьащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэситIым ар а газет дыдэм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ, 1946 гъэм жэ-уап зыхь и секретарщ, 1946-1948 гъэхэм газетым и литературэ секретарщ. 1948 — 1950 гъэхэм Пётр «Къэбэрдей пэжым» щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI ящI. 1950 гъэм ар щIотIысхьэ Горький Максим и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтым. 1955 гъэм ар къеухри, зы илъэскIэ Къэбэрдей тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыжьу мэлажьэ. ИлъэситIкIэ Шэвлокъуэ Пётр щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и редактору. Абы и ужькIэ 1965 гъэм нэсыху ар «Iуащхьэмахуэ» журналым прозэмкIэ и къудамэм и редакторщ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм Шэвлокъуэр лэжьащ «Iуащхьэмахуэм» жэуап зыхь и секретару, редактор нэхъыщхьэу. Шэвлокъуэм и литературэ-критикэ тхыгъэхэр къытехуэрт республикэ газетхэмрэ журналхэмрэ, «Эльбрус» тедзапIэм тхылъ щхьэхуэу къыщыдэкIырт. Пётр къыфIащащ «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр. IутIыж Борис IутIыж Борис Илъэс 17-кIэ «Iуащхьэмахуэ» журналыр зыгъэбжьыфIа, адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борис Къуней и къуэр Шэрэдж районым хыхьэ Зэрэгъыж къуажэм 1940 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м къыщалъхуащ. БалигъыпIэ иувэху и гъащIэр къуажэм щигъэкIуащ, абы курыт еджапIэр къыщиухащ. Борис дзэм илъэсищкIэ къулыкъу щищIащ. 1963 -1968 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щеджащ. Университетыр къызэриухыу, IутIыжыр Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым адыгэбзэмкIэ и секторым щылэжьэну ягъэуващ икIи илъэс 22-кIэ а IэнатIэм пэрытащ. А зэманым къриубыдэу Борис къиухащ бзэ щIэныгъэхэмкIэ Тбилиси дэт институтым и аспирантурэр. А институт дыдэм щыпхигъэкIащ и кандидат диссертацэри. Адыгэбзэм ехьэлIауэ абы къыдигъэкIащ монографие, тхылъхэр, тхыгъэ щхьэхуэхэр, апхуэдэуи ар елэжьащ псалъалъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхэлъхьэным. Борис егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым (Налшык къалэ) лъэпкъыбзэхэмрэ лъэпкъ литературэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу лэжьащ. 1991 гъэм IутIыжыр хахащ «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу икIи 2008 гъэ пщIондэ, дунейм ехыжыху, а къулыкъу мытыншыр абы ирихьэкIащ. IутIыж Борис дэзыхьэхыу, нэхъыбэу зыхэлэжьыхьу щытар лъэпкъ драматургиерщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ пьесэу пщIы бжыгъэхэр. Ахэр ди Адыгэ театрым и мызакъуэу, щагъэуващ Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Дагъыстэнми. Борис и «Тыргъэтауэ» драмэр Москва щагъэлъэгъуауэ щытащ, хьэрыпыбзэкIи зэрадзэкIри, Щам тхылъуи къыщыдагъэкIат икIи абы къытращIыкIа спектаклри щагъэлъэгъуат. «Дамэлейр» Тыркум и къалащхьэ Истамбыл щагъэуващ. ЦIэрыIуэ хъуа драматургическэ тхыгъэхэм къадэкIуэу, Борис и къалэмыпэм къыщIэкIащ радиомрэ телевиденэмрэ папщIэ итха сценарийхэри. Жанр зэхуэмыдэхэм зыкъызэрыщигъэлъэгъуам и щапхъэщ абы и поэмэхэр, гушыIэ рассказхэр, нэгъуэщIхэри. А псом къадэкIуэу ар сурэтыщI Iэзэт, скульптор IэкIуэлъакIуэт, зэфIэкI зиIэ щIэныгъэлIт. Абы хуэфащэ дыдэу къыфIащат «УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэхэр. Елгъэр Кашиф Елгъэр Кашиф Елгъэр Кашиф Мысост и къуэр Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм 1935 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м къыщалъхуащ. 1960 гъэм Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр (Москва) къиухащ. А илъэсым щегъэжьауэ 1964 гъэ пщIондэ Елгъэрыр Налшык телевиденэм и студием редактору щылэжьащ. 1965 — 1968 гъэхэм ар «Ленин гъуэгум» и лэжьакIуэщ, 1968 — 1970 гъэхэм а газетым жэуап зыхь и секретарым и къуэдзэщ. 1970 гъэм Кашиф «Iуащхьэмахуэ» журналым макIуэ, абы и къудамэм и унафэщIу илъэсиблкIэ мэлажьэри, 1977 гъэм журналым жэуап зыхь и секретару ягъэув. 2008 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэсиплIым щIигъукIэ «Iуащхьэмахуэм» и редактор нэхъыщхьэ къалэныр игъэзэщIащ Елгъэрым. Елгъэр Кашиф литературэм япэ лъэбакъуэр зэрыхичар усыгъэкIэщ, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, гушыIэрэ ауанкIэ гъэпса и тхыгъэхэмкIэщ. Апхуэдэт Кашиф 10-нэ классым щIэсу итха и япэ усэр. «Сэ епщIанэр къэзухащ» и IэдакъэщIэкIыр 1955 гъэм мазаем и 20-м къыдэкIа «Советская молодежь» газетым къытехуауэ щытащ. А гъэ дыдэм «Къэбэрдей пэж» газетми къытрадзат «Лу шыдыгум икIуэдащ» и усэри. УсакIуэ щIалэм къуажэ школыр къыщиухым ирихьэлIэу, и тхыгъэ зыбжанэ «Къэбэрдей» альманахми къытехуауэ щытащ. Елгъэрыр жыджэру холэжьыхь адыгэ прозэм. Абы и рассказхэмрэ повестхэмрэ щызэхуэхьэса и тхылъхэр Налшыки Москваи зыбжанэрэ къыщыдэкIащ. «Щыуагъэ» зыфIища и романыр 1988 гъэм дунейм къытехьащ. ТхакIуэм и творчествэм увыпIэшхуэ щеубыд нэгъуэщIыбзэкIэ ятхахэр зэдзэкIынми. Апхуэдэщ урыс-совет классикхэм, Украинэм, Абхъазым, нэгъуэщI щIыналъэхэми я усакIуэхэм, тхакIуэхэм, драматургхэм я тхыгъэхэу газетхэм, журналхэм къытехуахэри, тхылъ щхьэхуэу къыдэкIахэри. Елгъэрыр республикэм и ТхакIуэхэм я союзым хэтщ, абы «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. Журналым щылажьэхэм Шортэн Аскэрбий кърагъэблэгъащ ТекIуэныгъэм и махуэмкIэ ехъуэхъуну. Сурэтым щыволъагъу (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ) Гъубжокъуэ Лиуан, Елгъэр Кашиф, Шэвлокъуэ Пётр, Шортэн Аскэрбий, Мысачэ Пётр, Къэрмокъуэ Хьэмид сымэ. Бзэм, усэм, псалъэм я IэфIыр къозыгъащIэ Лъэпкъым и зэхэщIыкIыр зэи лъагэ хъунукъым, абы газет, журнал, тхылъ куэду къыдимыгъэкIмэ. СощIэж еджэным зезыта адыгэхэр журнал зэрыдимыIэм игъэгумэщIу щыщыта зэманыр. Сабий къызыхуалъхуам ещхьу дыгуфIат «Iуащхьэмахуэ» журналыр къыщыдэкIам. Илъэс 55-рэ ирикъуащ ди гумрэ ди псэмрэ пэджэж, и цIэм хуэфащэ «Iуащхьэмахуэ» журналыр. Гъуэгуанэ цIыкIукъым ар. Мыр журнал къудейкъым, атIэ адыгэ хасэщ, ди литературэм и хэщIапIэщ. Псоми зэращIэщи, 20 — 50 гъэхэм ди тхакIуэхэм я тхылъ щхьэхуэу къыдэкIахэр мащIэ дыдэщ. Ахэр къыщыхъуахэр «Iуащхьэмахуэ» журналым и напэкIуэцIхэрщ. Сыт хуэдиз тхакIуэ литературэм и гъуэгу дахэм тригъэува журналым! Литературэм елэжь щIэныгъэлIхэм я тхыгъэ куэд дыди дунейм къытехьащ «Iуащхьэмахуэм» и фIыщIэкIэ. Сэ сыкъапщтэмэ, мы журналым тхыгъэ зытIущщ къытездзар. Апхуэдэу щытми, «Iуащхьэмахуэ» журналри «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэри фIыуэ солъагъу, ахэр си унэм щыпсэууэ фIэкI къэслъытэркъым. Абыхэм япэ соджэри, итIанэ нэгъуэщI тхылъхэм, газетхэм яужь сохьэ. «Iуащхьэмахуэ» журналыр фIыуэ щIэслъагъум щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Япэрауэ, Москва аспирантурэм сыщеджэу литературэ щIэныгъэм теухуауэ япэ дыдэ стха статьяр къытезыдзар «Iуащхьэмахуэ» журналырщ (1972, №5). Абы нэхъ сызыщыгуфIыкIа яхэткъым стха псом. Уеблэмэ журналым къыкIэрих лэчым и мэр сощIэж. ЕтIуанэрауэ, мы журналыр адыгэбзэм, адыгэ литературэм, адыгэ щэнхабзэм я псынэщ. Мыбы цIыхубэм къыщащIэ бзэм, усэм, псалъэ шэрыуэм я IэфIыр, нэIуасэ щызэхуохъу тхакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. «Iуащхьэмахуэ» журналым адыгэм и хьэл куэд хэлъщ. «Алыхьым гушыIэ и щIасэщ» зэрыжаIэу, редактор нэхъыщхьэ IутIыж Борис (КъуэщIысокъуэм и нэр гъусэ ищIауэ) гушыIэшхуэ хэлът, дигъатхъэрт адыгэ гушыIэкIэ нэскIэ, ди джэгуакIуэхэм къытхуагъэна ауанхэм пищэрт. Ар и эпиграммэхэмкIэ зыщIэмынэкIа, и «къэрэндащыпэм фIимыIуа», псалъэ шэрыуэ зримыутIыпща щыщIагъэ щыIэкъым. «Iуащхьэмахуэм» и лэжьакIуэхэр сытым дежи жьэнахуэхэщ, гушыIэрейхэщ, лэжьакIуэшхуэхэщ. Абыхэм гулъытэншэу къагъанэркъым лIари псэури. Къэзылэжьа дэтхэнэми хуагъэдахэ я юбилейхэр, я тхылъыщIэхэр, я ехъулIэныгъэхэр. Си юбилейм Шэрджэсым нэкIуауэ, псалъэ къыщратам, IутIыж Борис гушыIат: «Къэбэрдейм экспорт тщIыуэ къытхуэнар хъуэхъу закъуэращи, тыгъэ нэхъыфIу къыпхуэтшэфар аращ». Сэри «бюджетник» жыхуаIэ цIэ угъурсызыр зезыхьэхэм сащыщщи, хъуэхъу «гъущэкIэ» журналым зыхуэзгъэзэнщ: узыншагъэ фиIэну, фи псалъэр жыжьэ Iууэ, лъагагъэкIэ Iуащхьэмахуэ бгым еныкъуэкъуу, фи тиражым и Iыхьэшхуэ экспортым кIуэуэ, фи улахуэм фытемыукIытыхьу куэдрэ фыкъыдэкIыну, «Iуащхьэмахуэ» журналыр илъэсищэ ирикъуху гукъыдэжым фимыбгынэу фыпсэуну! БАКIУУ Хъанджэрий, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор. Журналым и цIэр зэрыфIащар Литературэ творчествэм хузиIэ гукъыдэжым зыкIи емылъыта щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ сфIызэблэури, стхы щIагъуэ щымыIэурэ зэман дэкIа нэужь зестыжауэ аращ, армыхъумэ сэ пасэу, къуажэ еджапIэм сыщIэсу тхэн щIэздзауэ щытащ. Зы щIымахуэ махуэ щIыIэ гуэрым, къызэрызгубзыгъыжымкIэ, е 1956 гъэм и дыгъэгъазэт, е 1957 гъэм и щIышылэт, сытми, а гъитI зэпылъыпIэм ирихьэлIэу ТхакIуэхэм я союзым сыкъэкIуат, си тхыгъэ тIэкIухэр къэсхьри. ЩоджэнцIыкIу Iэдэм абыхэм схухэплъэу дыщысу, телефоныр къоуэ. Iэдэм къытриха трубкэр и тхьэкIумэм Iулъу щысщи-щысщ, цIутI жимыIэу. ЙодаIуэ къыжраIэм. Сэ ар зэрысфIагъэхьэулейм, къуажэм нэс сыкъикIыу мыбы сыкъыщIэкIуа си Iуэхум зэран къызэрыхуэхъум щхьэкIэ а къэпсалъэм сыхузэгуоп, зызоIуэнтIыхьри сыщысщ. Сытми, зэ зэпоу адрейм и псалъэри, ЩоджэнцIыкIум жеIэ: — ГурыIуэгъуэщ… дызэхуэсынщи, дызэчэнджэщынщ, иужькIэ хъыбар фэдгъэ- щIэжынщ, кIыхьлIыхь дымыщIу. АрщхьэкIэ модрейм ар къыхуидауэ къыщIэкIынукъым. — Апхуэдэу хъунщIэпсынщIэетуи? — жеIэ Iэдэм, мо къыпаубыдымкIэ мыарэзыуэ. — Адрей тхакIуэхэми семычэнджэщу хъунукъым… Ара? НтIэ, хъунщ, апхуэдэу щыщыткIэ, иджыпсту сынэпсэлъэжынщ, зызгъэгувэнкъым. Телефоныр трелъхьэжри, си дежкIэ зыкъегъазэ ЩоджэнцIыкIум: — Обкомым къопсэлъыкI. ДяпэкIэ щIэуэ къыдэкIын хуей журналым ди альманахым и цIэ «Къэбэрдей»-р фIэтщыжын ди гугъати, ар мыхъуну, Iэмал имыIэу нэгъуэщIкIэ зэтхъуэкIын хуейуэ аращ жаIэр. ЦIэщIэ дыхуейщ. Ари моуэ иджыпсту къэдмыгъуэту хъунукъым. Сыт фIэпщ хъун? Егупсысыт уэри. Иджыпсту дыдэ, жаIэу къыдамыубыдылIами аратэкъэ. ЖурналыщIэм щхьэкIэ ятх тхыгъэ зыщIыпIэ икIэщIыпIэкIэ ирагъэхьын хуейм хатхэну къыдэжьэу аращ жаIэр. Псори къызыхэкIауэ къыщIэкIынур балъкъэрхэр хей ящIыжу, я хэкум къызэрагъэзэжарагъэнут. Арат Iэдэм и жыIэкIэм къикIыу сэ къысфIэщIыр. А балъкъэрхэр езыхэр зэкIэ псори къэмысыжауэ, къэсыжахэри я пIэ изагъэу абгъуауи мыхъуауэ апхуэдэт. КъызэрыбгурыIуэнумкIэ, журналым фIэщын хуейр дяпэкIэ зэщIыгъуу ди щIыпIэм исыну лъэпкъищым — адыгэм, балъкъэрым, урысым — дежкIэ къезэгъыу щыт цIэ гуэрт. Сэ хуабжьу си гуапэ хъуащ, сыщIалэжь цIыкIуми, Iэдэм апхуэдэу сыкъызэрыридзэр, си псалъи Iуэхум хэувэ хъуну къызэрилъытар. Ауэ иужькIэ ар зыкIи мыгъэщIэгъуэну сеплъыжащ: КIуащ БетIал си уситI — зыр ЩоджэнцIыкIум жыхуиIа а «Къэбэрдей» альманахым и 9-нэ номерым, адрейр а зэманым урысыбзэрэ адыгэбзэкIэ къыдэкIыу щыта «Советская молодежь» газетым къысхутригъэдзауэ, тхакIуафэ зэсплъыжырт. АрщхьэкIэ, сэ жысIэнуми сытми пэмыплъэу, Iэдэм телефоныр къытрехри, зыщIыпIэ мэпсалъэ. — ГъэщIэгъуэнщ мы Аскэрбий, — жи, телефоныр трилъхьэжащи, дыхьэшхыурэ. — Сыту? — Альманахым и цIэ «Къэбэрдей»-р къэдвгъэгъэнэж, жеIэ. Ар обкомым ядэркъым жысIати, «Си щхьэр куэдрэ къысхурамыгъэуз обкомым, сыт абыхэм жаIэм ущIедаIуэр», жиIэри, трубкэр трилъхьэжащ. УемыдаIуэу ядэрэ?! Шортэн Аскэрбий и цIэр зэрыжиIэу, сэ занщIэу сигу къэкIыжащ абы и «Бгырысхэр». А романым и япэ тхылъыр къыдэкIарэ псори абы тепсэлъыхьу апхуэдэт а зэманым. ГъэщIэгъуэнтэкъым тепсэлъыхьми — ар зэи димыIа, ди литературэм япэу къыхыхьа жанрт. Сэри абы сыкъеджа къудейуэ арати, занщIэу сигу къокIри, жызоIэ: — Абы и романым и цIэ «Бгырысхэр» фIэтщ щхьэ мыхъурэ журналым? Ди щIыпIэр бгылъэщ, щыпсэухэр псори бгырысщ, бгым дисщ. Псоми хуокIуэ! Зы бэлыхь си гугъэжу, апхуэдэу жысIэри, зыжесIам сыжьэхэплъэу сытIысыжащ, ар абы игу зэрырихьынум, и гуапэу къызэрищтэнум шэч лъэпкъ къытезмыхьэрэ ар си щхьэм къызэрихьа къудейм щхьэкIэ сызыхуэарэзыжу. АрщхьэкIэ Iэдэм, тIэкIурэ гупсысэри, ари къысхупригъэхащ: — Хьэуэ, балъкъэрхэращ бгым исыр, дэ бгым дискъым. Аргуэру телефонкIэ псэлъащ, ауэ зэпсэлъар къысхуэщIакъым, езыми зыри жиIакъым. Ауэ, и макъ телефоным къиIукIыу зэхэсхамкIэ, Щомахуэ Амырхъан къысфIэщIащ. — Дауэ жыпIа? «ГъащIэщIэ» фIэтщынуи? — жиIэрт ЩоджэнцIыкIум, — сщIэркъым, сигу ирихьыркъым. Егупсысыт, кхъыIэ, иджыри. КIуащ БетIал и дежи псэлъат абы и ужькIи, «Тхыгъэ щимэ» къыжриIащ. Лъэпкъищым я тхыгъэ тетынущ, жиIэу арагъэнт къригъэкIыр. Ауэ ари Iэдэм тэмэму къилъытакъым. — Сэ зыгуэр сигу къэкIат, ауэ сщIэркъым… Мы обкомми Iэжьэкъур ирамычу щытамэ аратэкъэ! — Сытыт? — «Iуащхьэмахуэ» фIэтщ хъуну пIэрэ, жызоIэ. Уэ дауэ къыпщыхъурэ? — Уэли, хъунум мис ар, сыту фIыуэ уигу къэкIа! — жызоIэ. ИтIанэ Iэдэм телефонкIэ зыгуэрхэм йопсалъэ, щIоупщIэ а цIэр къазэрыщыхъум. Псоми ар ягу ирихьу, хъуну къалъытауэ къыщIэкIынти, обкомым хъыбар ирегъащIэ а цIэм къызэрытеувыIамкIэ. Мис а щIыкIэм тету мы журналым фIащащ илъэс щэ ныкъуэрэ тхурэ хъуауэ зэрихьэ «Iуащхьэмахуэ» цIэр, фIэзыщари ЩоджэнцIыкIу Iэдэмщ. КIуащ БетIал и усэхэм ящыщ зым зэрыщитхащи, зэманыр макIуэ шэ икIауэ. Мис, илъэс щэ ныкъуэм щIигъуащ абы лъандэрэ!.. И къежьэкIам сызэрыщыгъуазэм хуэдабзэу, и къыдэкIыгъуэхэми сыщыгъуазэщ журналым нобэр къыздэсми, мыпхуэдэу жысIэфынущ, жысIэм шэч лъэпкъ къытезмыхьэжу: и теплъэкIи ит тхыгъэхэмкIи журналыр ефIакIуэ зэпытщ. Ар и щыхьэтщ ди тхакIуэхэм я Iэзагъэм зэрыхэхъуэм, къэбэрдей адыгэ лъэпкъ литературэм зэрызиужьым. ИкIи сохъуэхъу ди «Iуащхьэмахуэр» дяпэкIи нэхъыфIыж хъуну, ар нэхъыфIыж зыщIыну зыщыгугъ и лэжьакIуэ гупми узыншагъэрэ гукъыдэжышхуэрэ яIэу я IэнатIэм куэдрэ пэрытыну. ХЬЭХ Сэфарбий, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ. Балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Кулиев Къайсын «Iуащхьэмахуэм» и хьэщIэщ. 1976 гъэ Зы гъащIэ Iыхьэ «Iуащхьэмахуэ» журналыр сэ сысабийуэ ди унэ къахьу щыщытам (пощтым деж ди адэм абы Iэ щытридзэрт зэпымыууэ) зэгуэр абы и редакцэм сыщылэжьэну хэт и гугъэнт?! Апхуэдэу хъуащ-тIэ, илъэс 14-кIэ сэри сахэтащ журналым елэжьхэм. Иджы нобэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу: журналыр щыIэныр, ар екIуу къыдэгъэкIыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ. Абы зы тхыдэ псо щызэхуэхьэсащ: ди литературэм и тхыдэ. Ди тхакIуэхэм я гъуэгуанэр сыт хуэдэу щытами къыщыIуэтащ. Хэт сыт хуэдэ тхыгъэ и Iэдакъэ къыщIэкIами, япэу здихьыр «Iуащхьэмахуэращ». Тхылъ къыдэзыгъэкIыфыр куэд мыхъуми, журналым зи тхыгъэ къытрезыгъэдзэфар мащIэкъым. «Iуащхьэмахуэм» къытехуа нэужь, зи тхыгъэхэр тхылъ щхьэхуэу къыдэгъэкIыным тегушхуэхэр гурыIуэгъуафIэщ: редакцэм деж тхыгъэм гъуэгу ще- гъуэт, цIыхур йоджэри, ар къазэрыщыхъур наIуэ къохъу. Еджахэм ягу ирихь-иримыхьым тещIыхьауэ, пэжыр жыпIэмэ, тхыгъэм редакторыр Iэзэу зэрыхэлэжьыхьыжари къыхэлъытауэ, авторым ар хегъэувэ и тхылъ щхьэхуэм. Апхуэдэу къокIуэкI илъэс пщIы бжыгъэ мэхъури. Журналыр зыхущыIэжыр адыгэбзэкIэ тхэхэмрэ адыгэбзэкIэ еджэхэмрэщ. Ауэ щыхъукIэ, дунейм тет зы лъэпкъым и зы гъащIэ Iыхьэ журналыр мэхъу. А гъащIэр литературэм и курыкупсэщ. Дэнэ литературэр нэсами, сыт къехъулIами, сытым хэкIыжами кърипщIэу. Си щхьэкIэ, сфIэгъэщIэгъуэну сыщIэджыкIыжу щытащ 60-70-80 гъэхэм къыдэкIа номерхэм. ИужькIэ роман цIэрыIуэ хъуа тхыгъэхэр, поэмэ инхэр мыбы Iыхьэ-Iыхьэурэ къытехуат, зэи афIэкIа узримыхьэлIэжа тхыгъэхэри журналым щыхъумати, абы еджэну хуейхэр къакIуэурэ къыщыщIэупщIэрт редакцэм. Иужьрей илъэс тIощIым «Iуащхьэмахуэм» и номеру къыдэкIауэ хъуар щызэхуэсхьэсыжым, мызэ-мытIэу сегупсысащ: мыр электроннэ хъумапIэхэм трегъэтхауэ щымыIэмэ, дауэ хъуну дяпэкIэ еджэну къыщIэупщIэхэр? Журналыр къащтэу къыщамыхьыжыр куэдрэщ, редакцэм нэмыщI, библиотекэм ар щыщагъуэтыр зэзэмызэщ… Журналым гулъытэ хэха хуэфащэщ — ар къагурыIуэну сыхуейт адыгэбзэкIэ емыджэфхэми. Мыр мылъку зыхэлъхьэн, егъэфIэкIуэн хуей Iуэхущ. Махуэ къэс щIэ гуэрхэр къожьэ, газетхэмрэ журналхэмрэ я фIагъым хохъуэ, ди журналыр адрейхэм къакIэрыху хъунукъым. «Iуащхьэмахуэр» къыщыунэхуам щыгъуэ абы тепсэлъыхьхэрт, зэIэпахыу еджэхэрт. Абы щыгъуэ къэунэхуатэкъым телевиденэм и къудамэ къомыр, Интернетыр. Нобэ журналхэмрэ тхылъхэмрэ IэщIыб нэхъ ящI. ЦIыхум я нэIэ тетын папщIэ, журналым и хъыбарыр зэбгрытыкIын хуейщ. Аращ — рекламэщ ар зыхуэныкъуэр. Уи хъыбар зымыщIэм уи цIэр ищIэркъым. Уи цIэр зэхэзымыхыр сыт щхьэкIэ къыпщIэупщIэн? ЦIэрэ щхьэрэ зиIэу къекIуэкIа «Iуащхьэмахуэ» журналым а рекламэ дыдэри пщIэншэу хуагъэпсыныр хуэфащэт… «Iуащхьэмахуэр» сэркIэ журнал, лэжьапIэ къудейкъым — мыбдеж гъащIэм и хабзэри, журналистикэм и хабзэри щызыхэслъхьауэ жыпIэ хъунущ. Япэри етIуанэри къызагъэщIащ си лэжьэгъухэм. Гуп цIыкIуу дызэхэту, еджапIэр къэзуха къудейуэ сакъыхыхьарэ, нэхъыжьхэм куэдым щыгъуазэ сащIу, куэдкIи… къысхудачыхыу — апхуэдэу екIуэкIащ зэманыр. ПщIэ къысхуэзыщIа си лэжьэгъухэм яхуэфащэ пщIэ якIэлъызесхьэжыфауэ пIэрэ? Абы нобэ согупсыс, фIыщIэшхуи яхузощI абыхэм. Псом хуэмыдэжу къызбгъэдэтар IутIыж Борисщи, жэнэткIэ Тхьэм игъэгуфIэ. Фи Iуэху щхьэпэр къывэхъулIэну! «Iуащхьэмахуэм» и тиражыр адыгэ унагъуэу хэкум исым я бжыгъэм лъэщIыхьэну Тхьэм жиIэ! КЪАНЫКЪУЭ Заринэ, усакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ. ЛэжьакIуэфIхэр хуэщт Адыгэм «лIы ныбжь» жиIэмэ, илъэсищэ къригъэкIыу аращ. Абы тепщIыхьмэ, илъэс 55-рэ ныбжьыр лIым и фIыгъуэщ, и зэманыгъуэщ. Ар балигъыпIэ зэриувэрэ зыбжанэ щIами, нобэкIэ куэдым хунэсами, нэхъыбэж абы щыхузэфIэкIынур пщэдейщ. Дыгъуасэ зытемыгушхуэу щытами нобэ иреку зи къару илъыгъуэ лIым — иджы ар сытми хуэIэижь, хуэIэзэ хъуащи. ИкIи, бжьыхьэ лъэныкъуэмкIэ жьыбгъэр, зигъэпхъашэу, къыщепэбжьауэ къэхъуми, зи зэманыгъуэм ари хъымпIар ищIыщэркъым: абы иджыри и гъэмахуэщи, и Iэщхьэ-лъащхьэр дэхьеяуэ мэлажьэ, и Iэужьыр зэрыберычэтым и дэрэжэгъуэр къыхэкIыу, зы махуэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъ хьэлъафIэу Iэбэу. АпхуэдэлI, зи зэманыгъуэм сэ изогъэщхь ди «Iуащхьэмахуэм» къызэпича гъуэгуанэр. Абы пщIэншэу игъэкIуэдакъым а илъэс щэ ныкъуэрэ тхур. А зэманым къриубыдэу журналым и напэкIуэцIхэм зыщаужьащ, зыщаукъуэдиящ литературэм и жанр псоми жыпIэмэ, пцIыупс урихъункъым. «Iуащхьэмахуэрщ» япэу къызытехуауэ щытар КIыщокъуэ Алим, Шортэн Аскэрбий, Теунэ Хьэчим, Нало Ахьмэдхъан, МафIэдз Сэрэбий сымэ я романхэр, ЩоджэнцIыкIу Iэдэмрэ КIэрэф Мухьэмэдрэ я повестхэр, Нало Заур и новеллэхэр, Тхьэгъэзит Зубер, Елгъэр Кашиф, Гъубжокъуэ Лиуан, Къагъырмэс Борис, нэгъуэщI куэдми я усэхэр, рассказхэр, очеркхэр, IутIыж Борис и пьесэхэр… Журналым и гъунапкъэхэм къыпхуэмыцIыхужыным хуэдизу зыщаужьащ ди нэIуасэу щыта жанрхэм, япэм димыIауэ, дызыщымыгъуазэу щыта жыпхъэхэри къыщыунэхуащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, художественнэ документалистикэр. Литературэм, щэнхабзэм, гъуазджэм къыщымынэу, нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэри (жылагъуэ гъащIэр, тхыдэр, политикэр, къэхъукъащIэхэр, дунеймрэ цIыхумрэ я зэхущытыкIэр, щIэныгъэм и пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, н. къ.) и мыхамэу, а псоми и нэIэ тригъэтыну къалэну зыхуигъэувыжащ журналым. ИкIи ар икъукIэ тэмэмщ: зы журнал фIэкIа ущимыIэм деж, абы и къалэныр нэхъыбэщ. Журналыр зэрыщыIэ лъандэрэ абы и редакцэм щылажьэу къогъуэгурыкIуэ адыгэбзэкIэ ятхым и нэхъыфIыпIэр нэхъ псынщIэу ди тхылъеджэм зэрыIэры- хьэным псэкIэ хущIэкъу тхакIуэ икIи цIыху ахъырзэман гуп. Редактор нэхъыщхьэфIхэри хуэщт «Iуащхьэмахуэм»: Щомахуэ Амырхъан, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Тхьэгъэзит Зубер, Къэрмокъуэ Хьэмид, Шэвлокъуэ Пётр, IутIыж Борис сымэ журналыр езымыгъэфIэкIуауэ зыри яхэткъым. ДяпэкIи ди литературэм зегъэужьыным папщIэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и пащхьэ къиувэ къалэнхэр зыхуэгъэзэщIэфын щыIэкъым — езы «Iуащхьэмахуэ» журналым къищынэмыщIа. Тхьэм хущIигъэхьэ! КЪЭЖЭР Хьэмид, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент. Адыгэбзэм, ди лъэпкъым, щэнхабзэм я псынэ ЖьакIэмыхъу КIунэ: Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми щIыхь зиIэ я артисткэ: — «Iуащхьэмахуэ» журналымрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ куэд щIауэ лъэпкъым ди ущиякIуэщ, ди чэнджэщэгъущ. Абыхэм я зы къыдэкIыгъуэ ди унагъуэ къимыхьэмэ, сыкъемыджэу блэзгъэкIмэ, къысхуэщхьэпэн, гухэхъуэгъуэ къызэзытын Iуэхушхуэ гуэр сыхэкIыжауэ, сыхуэныкъуэу къысщохъу… ФэрыщIагъэу къащыхъун си гугъэкъым ахэр хьэуа дызэрыбауэм, псы щIыIэ дызэфэм, ерыскъы тфIэIэфIу тшхыхэм яхуэзгъадэмэ. Абыхэм языхэз уимыIэу упсэуфынукъым. Нобэ зи махуэ ягъэлъапIэ журналыр си Iэпэгъущ, куэд щIауэ сэри си дэIэпыкъуэгъущ. Абы къисха тхыгъэ хьэлэмэт куэд сэ сценэми гъащIэми къыщызогъэсэбэп… Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ еджапIэм щызгъасэ цIыкIухэм сэ зэи саIущIэркъым а журналыр сымыIыгъыу. Си гуапэщ «Iуащхьэмахуэр» жьыщхьэ махуэ ухъуну, гъащIэ кIыхь дыдэ къэбгъэщIэну. Си зы чэнджэщи узохьэлIэ: сэ сыхуейт тхэным, усэным гу хуэзыщIа ныбжьыщIэхэм я тхыгъэхэмкIэ нэхъыбэрэ укъытхуэупсэну. Аращи, адэкIи гъуэгу махуэ, ди «Iуащхьэмахуэ»! Жылэтеж Сэлэдин, тхакIуэ: — ЛIэщIыгъуэ Iэджэ къызэпызыча тхыдэ зиIэ тхылъхэм, журналхэм елъытауэ, ди «Iуащхьэмахуэм» къикIуа илъэс щэ ныкъуэрэ тхур лъэхъэнэ кIыхьу пхужыIэнкъым, ауэ, апхуэдэу щыт пэтми, абы къалэнышхуэ хуигъэзэщIащ лъэпкъым, мыхьэнэшхуэ иIащ адыгэ литературэр зэфIэгъэувэнымкIэ, адыгэбзэм зегъэужьынымкIэ. ТхакIуэм и къалэмыпэ къыщIэкIа тхыгъэр тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIыху, нэхъ мащIэ дыдэрами, илъэс зытIущ докI. А къалэн лъапIэр пIалъэ кIэщIым къриубыдэу «Iуащхьэмахуэ» журналым тхузэфIегъэкI — зэрыжыпIэнуращи, тхыгъэм и Iэпэр иIыгъыу библиотекэхэм, еджапIэхэм тхущIишэкIэрэ, абы и щIэджыкIакIуэ зэрыс унагъуэхэм хьэщIэ щIэщыгъуэу яхуеблагъэкIэрэ. Сэ си тхыгъэ япэ дыдэ «Iуащхьэмахуэ» журналым къыщытехуар 1961 гъэращ. А зэманым арщыдандэсхэм я цIэр жыжьэ нэIусат, нартыху бэв къэгъэкIыным зэрыхуэIэкIуэлъакIуэм и фIыгъэкIэ. Ди лэжьакIуэ нэхъ пажэ дыдэхэм ятеухуа тхыгъэхэр, сурэтхэр «Комсомольская правда» газетым, «Огонек» журналым нэгъунэ къытехуэрт. Сэри а лъэхъэнэм ди къуажэм и комсомол организацэм и секретару сылажьэрти, фIыуэ сыщыгъуазэт колхозым и Iуэху зыIутхэм, ди цIыху гуащIафIэхэм я ехъулIэныгъэхэм. Абы къыщымынэу, сэ сыкъуажэ корреспондентти, си тхыгъэхэр республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ я напэкIуэцIхэм щIэх-щIэхыурэ щыплъагъунут. Литературэрат хуабжьу сыдэзыхьэхри, усэ тIэкIуфэкIухэри зэзэмызэ къысIэщIэтхыхьырт, пьесэ нэгъунэ стхыну зеспщытырт. Апхуэдэ зэфIэкIхэр къыщызыкъуэсхкIэ, дауэ слъэкIынт ди цIыху пэрытхэм усэ ятезмытхыхьыну! «Нартыху гуащэ» фIэсщри, усэ хуэстхат ди нартыхугъэкI пашэ, орден зыбжанэ зыхуагъэфэща Сэбаншы Женя. Арат «Iуащхьэмахуэ» жур-налым къытехуари. Абы лъандэ- рэ илъэс щэ ныкъуэм нэблэгъа пэтми, тхылъ пщыкIутхум нэс къыдэзгъэкIами, си тхыгъэхэр илъэс къэс зэ жыхуаIэм хуэдэу а журналым къысхутрадзэми, иджыри сыщIохъуэпс си къалэмыпэ къыщIэкIа абы къытехуэным. Апхуэдэ къызэхъулIа нэужьи, ар махуэ зыбжанэкIэ схуэмыгъэтIылъу къыздызохьэкI, къызэтесхмэ, сыкъеджэм, зэтеспIэжу, щIыхьышхуэ зыхуэсщI «Iуащхьэмахуэм» ит тхыгъэфIхэм, тхыгъэ хъарзынэхэм сэ си IэдакъэщIэкIри зэрахэхуам, зэрахэзэгъам сыщыгуфIыкIыу. «Iуащхьэмахуэм» и редакцэм къищта, къыхиха тхыгъэхэр нэтхыса зэрыхъуам, ар зыхуей зэрыхуэзам шэч лъэпкъ къыщIытепхьэжыни щыIэкъым. Ар журналым и кхъузанэм икIамэ, къохъулIауэ убж хъунущ. «Iуащхьэмахуэм» къытехуа тхыгъэм пщIэ егъуэт, ар зытхар нэхъ лъэ быдэкIэ лъэпкъ литературэм хэувауэ ябж. А журналыр адыгэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI тхылъщи, и гъуэгу кIыхьрэ махуэу адыгэ лъэпкъым и фIым ар куэдрэ телэжьэну Тхьэм жиIэ! Тхьэзэплъ Хьэсэн, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэ: — Лъэпкъ щэнхабзэр, литературэр щаузэщI, щапсыхь кIыщымкIэ дызыпыщIа ди ныбжьэгъухэ, ди лэжьэгъухэ, зи цIэр зефхьэ ди Iуащхьэмахуэ елъэгэкIын пщIэрэ гуфIэгъуэрэ къыфхуэзыхьын тхыгъэфIхэмкIэ фи «Iуащхьэмахуэр» зыIэтын, абы и гъуэгуанэр кIыхь зыщIын фыщымыщIэну Тхьэм дыфхуолъэIу. Ди Iуащхьэмахуэ бгышхуэмрэ фи «Iуащхьэмахуэ» журналымрэ лъэбакъуэу яку дэлъым хуэдиз илъэс бжыгъэкIэ фи журналыр къыдэкIыну, фэри апхуэдиз гъащIэрэ насыпрэ фиIэну дыфхуохъуахъуэ. Пщыбий СулътIан: — Ветеранхэм я Налшык къалэ советым хэт: — Хэку зауэшхуэм и ветеран сэ сызыдэлажьэхэми, си щхьэми, ди унагъуэм исхэми къабгъэдэкIыу фи юбилей дахэмкIэ сынывохъуэхъу «Iуащхьэмахуэ» журналыр зи жьэгу пащхьэу ди адыгэ тхакIуэ, усакIуэ псоми. Хэхауэ сехъуэхъуну сыхуейщ а журналыр зыгъэпсхэу редакцэм щылажьэ цIыху емызэшыжхэм. ЗэвгъащIэ: «Iуащхьэмахуэ» журналыр ящыщщ ди лъэпкъыр нэхъ зэрыгушхуэу иIэхэм. Абы и напэкIуэцIхэм дэ къыщыдогъуэт дигухэм, ди псэхэм къапэджэж, гъащIэ гъуэгуанэм пкIэлъей къытхуезыдз тхыгъэхэр. Iуащхьэмахуэ и щыгур фи плъапIэрэ фи Iуэхум зиужь зэпыту екIуэкIыну гурэ псэкIэ сыфхуохъуахъуэ! Iэщыж Борис, тхакIуэ, усакIуэ: — ДрогуфIэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и Iуэхухэр зэрефIакIуэм. Абы щыхьэт тохъуэ журналыр и теплъэкIи, и гъэпсыкIэкIи нэхъ гурыхь зэрыхъуар. СхужыIэнукъым къытехуэ тхыгъэхэри нэхъыкIэ хъуауэ, сыту жыпIэмэ, дэтхэнэ литературэми хуэдэу, ди литературэми зеужь, нэхъ зэрызиIэтыным хущIокъу. ДрогуфIэ журналым и редакцэм гулъытэ зэрыщыдгъуэтым, ди тхыгъэхэр Iумпэм зэрыщамыщIым. Аращи, Тхьэм нэхъри уригъэфIакIуэ, фIыуэ тлъагъуу, дызэрыгушхуэу ди «Iуащхьэмахуэ»! «Iуащхьэмахуэ» журналым и редакцэм. (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ щысхэр) Къагъырмэс Борис, Шпанагель Эткар, Хьэх Сэфарбий, БакIуу Хъанджэрий, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Елгъэр Кашиф; (щытхэр) IутIыж Борис, Джэрыджэ Арсен. 1994 гъэ ТхакIуэхэу (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ) ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Хьэх Сэфарбий, Къагъырмэс Борис, Мэзыхьэ Борис, Ац-къан Руслан, IутIыж Борис. Iумахуэу ди «Iуащхьэмахуэ» «Iуащхьэмахуэу» зи Iуэху нахуэ, БогъэлъапIэ уэ уи лъахэр, Зи лъэпкъ мащIэм хуэIумахуэ, Адэжь лъапсэр зыгъэдахэ. Уи цIэджэгъур уогъэпэжыр, ЦIыхухэм псэкIэ уабгъэдэтщ, Къулейщ сыткIи уи Iэужьыр, Лъэпкъыр уэ къыпхуей зэпытщ. Адыгэгур уэ пкIуэцIылъщи, Къуэш хэхэсхэм уалъоIэс, Адыгэбзэр уэ пIурылъщи, Хасэм жьантIэр къыщыплъос. Уэ уи губгъуэм тепсэ жылэр КъокIыр, — нэди къыхэмыкI, Уахуохъу псоми гъуэгу гъуэмылэ, Инми цIыкIуми ущIаджыкI. ДыхуэпIащIэу уи къэкIуэным, Ди нэр куэбжэм тедмыгъэкI, ХъыбарыфIхэр къытхуэпхьыным Къытедмыхьэ зэи шэч. Уи лэжьэкIэм, уи псэукIэм Дэ, адыгэр, дегъэгушхуэ, Хыугъахъуэ уи зэфIэкIым, Утиухьэ нэхъ гъуэгушхуэ. Нобэ уохъур илъэс тхущIи, ХъуэхъуфI Iэджэ уэ пхуаIэт. ГъащIэу къуит илъэс мин тхущIи Iуащхьэмахуэу Тхьэм уиIэт! ЩХЬЭНЫКЪУЭ Мусэбий, егъэджакIуэ, УФ-м цIыхубэм щIэныгъэ етынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ. 2008 гъэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26834.txt" }
Къармокъуэ Iэмурбэч и гъэсэнхэм я текIуэныгъэ Псыхуабэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм каратэ киокусинкаймкIэ пашэныгъэ къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэрэ чемпионатрэ. Ди республикэм и щIыхьыр абы щахъумащ Шэрджэс Заурбэч зи унафэщI спорт школ хэхам и гъэсэнхэм. Пашэныгъэ къэхьынымкIэ я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта зэпеуэхэм бжьыпэр щаубыдащ Аветисян Карэн, Аветисян Аркадик, Балъкъыз Ратмир, Iэтэ Ислъам сымэ. Шурдым Темболэт етIуанэ хъуащ. Чемпионатым щытекIуащ Лыджыдэ Азэмэт. Сафарян Артур етIуанэ увыпIэр къихьащ. ЕхъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа спортсменхэр и гъэсэнщ «Дайдзи» спорт клубым. Тренерыр Къармокъуэ Iэмурбэчщ. КИФЩI-м и зэхьэзэхуэм судья нэхъыфI щыхъуащ етIуанэ категорие зиIэ Аветисян Нарек. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26848.txt" }
ЩIэгъуэтыгъуейр сыт? «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къыIэрохьэ. Ахэр ятеухуащ ди щIэджыкIакIуэхэр гъащIэм щызрихьэлIэ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм: фIыми Iейми, гуауэми гуапэми, фIыщIэ зыхуэщIыпхъэхэми дерс къызыхэхыпхъэхэми, н. къ. Шэджэм куейм хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм къикIыу редакцэм иджыблагъэ къыIэрыхьа письмор зи къалэмыпэм къыпыкIахэр ирогузавэ школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ зэрыщадж тхылъхэр зэрамыгъуэтым, ахэр зэрызэпэубыдам. Ахэр щIолъэIу щытыкIэр зэхэдгъэкIыну. Ди сабийхэм анэдэлъхубзэр зэрадж тхылъхэр тыкуэнхэм хуабжьу щыгъуэтыгъуейщ. Бэзэрым телъыр тхылъыжьщ, ари сом 500 — 600 и уасэу, — итщ письмом. — Адыгэбзэр зэрадж тхылъхэр къыдамыгъэкIыжу ара хьэмэрэ а Iуэхум хухах мылъкур зыщIыпIэ «щетIысэхыу» пIэрэ? ПщIэ къыфхуэзыщI щхьэлыкъуэдэсхэу Амщокъуэ Р., Къуныжь Л., Мамхэгъ Т., ПщыукI Р., Джыназ Н., Иуан А., нэгъуэщIхэри». Щхьэлыкъуэ къикIа мы письмом ипкъ иткIэ дэ зыхуэдгъэзащ лъэпкъыбзэхэмкIэ тхылъхэр къыдэгъэкIыным щелэжь, абы гулъытэшхуэ щыхуащI «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Ацкъан Руслан. — Анэдэлъхубзэр зэрадж тхылъхэр егъэфIэкIуэным теухуа республикэ программэр и лъабжьэу, иужьрей илъэсхэм гулъытэ хэха худощI адыгэбзэр, балъкъэрыбзэр щIэблэм зэрадж тхылъхэр зыхуей хуэзауэ, иджырей мардэхэм изагъэу къыдэгъэкIыным. Зы илъэси къанэркъым ди тхылъ тедзапIэм апхуэдэ тхылъыщIэхэр къыщыдэмыкIыу. Ахэр щащэ Налшык Хъураным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет «Тхылъ», Толстойм и уэрамым тет «Разумник» тыкуэнхэм. Тхылъхэр зымыгъуэтхэр абыхэм къащIэупщIэ хъунущ мы телефонхэмкIэ: 42-68-70, 42-00-70. Ахэр ди IуэхущIапIэм и тхылъ хъумапIэм и телефонхэрщ. Иджыпстуи ди хъумапIэм щIэлъщ адыгэбзэр школхэм зэрыщрагъэдж сыт хуэдэ тхылъи, нэхъ зэпэубыдауэ щыт зытIум къищынэмыщIа. Ахэри мы зэманым хьэзыр щохъу дызыдэлажьэ «Тетраграф» ООО-м, — жиIащ Ацкъаным. — Дызытепсэлъыхь зэреджэ тхылъхэри школакIуэхэр зыхуеину нэгъуэщI литературэри ныбжьыщIэхэм яIэрыхьэфынущ школ библиотекэхэмкIэ. Тхылъ тедзапIэмрэ школхэмрэ яку дэлъыпхъэ апхуэдэ зэпыщIэныгъэм тещIыхьа хабзэ хэха щыIэщи, дэ еджапIэхэми дадолажьэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт я уасэкIэ ди тхылъхэм сом 70 нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрахэмытыр. Ахэр тыкуэным зымащIэкIэ щынэхъ лъапIэнкIэ хъунущ. ТедзапIэм и унафэщIым щыгъуазэ сыхуищIащ 2013 гъэм IуэхущIапIэм школакIуэхэм папщIэ къыщыдагъэкIыну тхылъхэр зэрыт планым. Мы илъэсми, адрейхэми хуэдэу, «Эльбрус» тедзапIэм школакIуэхэм папщIэ адыгэбзэкIэ къыщыдэкIынущ тхылъ куэд. Абыхэм яхэтщ художественнэ литератури, сабийхэм папщIэ тхылъхэри, критикэ, литературэдж, публицистикэ унэтIыныгъэ зиIэхэри, зэреджэ, зэреджэ-методикэ литератури. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, КIыщокъуэ Алим, Къэжэр Хьэмид, Хьэх Сэфарбий, Уэрэзей Афлик, Нартокъуэ Анжелэ сымэ я къалэмыпэм къыпыкIа художественнэ тхыгъэхэр, критик ХьэкIуащэ Андрей и «Теунэ Хьэчим» тхылъыр, Гугъуэт Лол и «Азбукэр», Балэ Людмилэ игъэхьэзырахэу «Азбукэм» и гъусэ зэрытхэ тетрадыр, 5-нэ, 11-нэ классхэм я «Адыгэ литературэ» тхылъхэм ящIыгъу зэрылажьэ тетрадхэр, «Изложенэхэмрэ сочиненэхэмрэ щызэхуэхьэса. 5 — 11-нэ классхэр» тхылъыр, Тау Жантий и «Адыгэбзэ. 2-нэ класс», Ержыб Аслъэн и «Анэдэлъхубзэ. 2-нэ класс», Урыс Хьэталий, Амырокъуэ Ибрэхьим, Тамбий БетIал, ЛIуп ФатIимэ сымэ 6-нэ, 7-нэ, 8-нэ, 9-нэ, 11-нэ классхэм папщIэ я «Адыгэбзэ» тхылъхэр. Абыхэм я гъусэщ школым адыгэбзэр щезыгъэджхэм ягъэхьэзыра зэрылажьэ тетрадхэр. Апхуэдэу ди планым хэтщ ТIымыжь Хьэмыщэ, Балэ Людмилэ, БищIо Борис сымэ зэхагъэувауэ 7-нэ, 8-нэ, 11-нэ классхэм папщIэ адыгэ литературэмкIэ хрестоматие, УнэлIокъуэ Вячеслав 5 — 11-нэ классхэм яхуигъэхьэзыра «Диктантхэр щызэхуэхьэса» тхылъыр, нэгъуэщIхэри. — ЕгъэджакIуэхэри еджакIуэхэри куэд щIауэ зыпэплъэщ БищIо Борисрэ ТIымыжь Хьэмыщэрэ я «Урыс-адыгэ школ псалъалъэ», «Урыс-адыгэ псалъалъэ» тхылъхэр. Ахэри мыгъэрей планым къыщыгъэлъэгъуащ, — къыхигъэщащ Ацкъан Руслан. — Апхуэдэу ди анэдэлъхубзэр зыджу 3-нэ, 6-нэ классхэм щIэс мыадыгэ сабийхэми яIэрыхьэнущ тхылъыщIэхэр. «Адыгэбзэр зыдогъащIэ» тхылъхэмрэ абыхэм ящIыгъу зэрылажьэ тетрадхэмрэ игъэхьэзыращ Бекъан Масирэт. Ацкъаным зэрыжиIамкIэ, школакIуэхэм папщIэ мы гъэм къыдагъэкIыну тхылъхэм я бжыгъэр псори зэхэту 35-рэ мэхъу. А тхылъхэм, зэрылажьэ тетрадхэм я нэхъыбапIэр щхъуэкIэплъыкIэу, я теплъэкIи, ярыт тхыгъэкIи, сурэткIи иджырей мардэхэм хуэкIуэу щытынущ. Ахэр тыкуэнхэм щIэлъынущ школ щIэтIысхьэжыгъуэм и пэ къихуэу. Ди щIэджыкIакIуэхэм фигу къыдогъэкIыж, хабзэ хъуауэ, «Эльбрус» тедзапIэм къыщыдэкI тхылъхэм ятеухуа хъыбар кIэщI «Адыгэ псалъэм» «ТхылъыщIэ» рубрикэм щIэту къызэрытехуэр. Газетыр зи унагъуэ ихьэ псори абы щыгъуазэщ. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26853.txt" }
Нэхъыжьхэр ягъэгуфIэ НыбжьыщIэхэм эстетикэ гъэсэныгъэ етынымкIэ центрым, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм, екIуалIэ еджакIуэхэм жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ щапIыж унэм концерт гукъинэж щатащ. Центрым уэрэд жыIэнымкIэ и студием и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Таукеновэ Галинэ зэрыжиIэмкIэ, мыр ныбжьыщIэхэм я япэ гулъытэкъым, 2013 гъэр къызэрихьэрэ школакIуэхэр мы IуэхущIапIэм етIуанэ макIуэ. «Зи Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ я гъусэу псэуну Iэмал зимыIэ нэхъыжьхэр дгъэгуфIэнырщ, цIыхухэм къабгъэдэкI пщIэрэ гулъытэрэ захедгъэщIэнырщ Iуэхур къыщIызэдгъэпэщар», — жиIащ Таукеновэм. Концертым щагъэзэщIащ адыгэ, балъкъэр уэрэдхэр, зауэм теухуахэр, нэхъыжьхэр зыщIэлъэIуа нэгъуэщIхэри. КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэт IуэхущIапIэм и унафэщI Абазэ Сусаннэ и псалъэм къыхигъэщащ я деж щыIэхэм я гукъыдэжыр, дапщэщи хуэдэу, ныбжьыщIэхэм къызэраIэтар икIи хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ. ТОКЪМАКЪ Мадинэ, КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26856.txt" }
Дэтхэнэ щIыпIэр нэхъ къезэгърэ? Лениным и цIэр зезыхьэ проспектымрэ Балъкъэр уэрамымрэ я ижьырабгъу (ущехкIэ) плIанэпэрщ Мэлбахъуэ Тимборэ и фэеплъыр щагъэувыну къыхаха щIыпIэр. Си щхьэкIэ абы арэзы сытехъуэркъым. Адыгэ лъэпкъым и къуэ нэхъыфIхэм ящыщ а цIыху щэджащэм, щIыхь зыпылъ лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэр пылъхьэншэу зэфIэзыхам и фэеплъыр бгъэувыну нэхъ къыщезэгъ щIыпIэ зыбжанэ ди къалэм иIэщ. Ар нэхъ къыщезэгъ япэ щIыпIэу къызолъытэ Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм и гупэр, фэеплъыр Нэгумэ Шорэ и цIэр зезыхьэ уэрамым хуэплъэу. ЕтIуанэ щIыпIэр Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым и пэщIэдзэрщ, иджы танк абрагъуэр здэщыт утырщ (танкыр ебгъэкIуэтэкI хъунущ). Ещанэу къэбгъэлъагъуэ хъунущ КъБР-м и Правительствэм и Унэм и ипщэрабгъу щIыпIэр, фэеплъым и гупэр проспектымкIэ гъэзауэ. Мэлбахъуэм и фэеплъыр щыбгъэув хъуну нэгъуэщI щIыпIэхэри щыIэщ, дауи. Псалъэм папщIэ, Тимборэ иужьрей илъэсхэм щыпсэуа унэм къыбгъурыт хадэ цIыкIум и ипщэ ихьэпIэр, фэеплъым и гупэр къэблэмкIэ гъэзауэ. КъызэрысфIэщIымкIэ, Мэлбахъуэм и фэеплъыр щагъэувыну нэхъ къозэгъ мы къэзгъэлъэгъуа дэтхэнэ зы щIыпIэри, ар щагъэувыну яубзыхуам нэхърэ. Гу лъытапхъэщ фэеплъыр гъэувынри кIыхьлIыхь зэрыхъуам — Мэлбахъуэ Тимборэ дунейм зэрехыжрэ илъэс 22-рэ мэхъу. ЕРЖЫБ Аслъэн, щIэныгъэлI-методист, Дагъыстэн республикэм и школым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26860.txt" }
Артист ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIыр Бахъсэн районым и библиотекэ нэхъыщхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ классикэ художественнэ литературэр фIыуэ зылъагъухэм я зэхуэс. Кыщпэк къуажэ школым щеджэ ныбжьыщIэхэр зэIущIэм кърихьэлIахэм къахуеджащ Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Есенин Сергей, Фет Афанасий сымэ я IэдакъэщIэкIхэм, классикхэм я тхыгъэхэм тепсэлъыхьащ, блэкIа лIэщIыгъуэхэр зыхуэдар а тхакIуэхэм къызэрагъэлъэгъуэжым къытеувыIащ. «Классикэ литературэр гъащIэм и егъэджакIуэщ, аращ ар сыт хуэдэ зэманми щIыдекIунур», — жеIэ библиотекэм щеджэ и пэшым и унафэщI Уэзы Ритэ. Урысыбзэмрэ литературэмрэ езыгъэдж Хьэпэхъу ФатIимэ я дэIэпыкъуэгъуу ныбжьыщIэхэм ягъэхьэзыращ Гоголь Николай и «Ревизор» комедием къытращIыкIа театр теплъэгъуэ. Артист ныбжьыщIэхэр сыткIи зэпэщт: пыIэхэр ядат, блэкIа лIэщIыгъуэхэм щыIа фэилъхьэгъуэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ зэхуахьэсат. «Урысей зэкъуэт» партым и куей исполкомым и унафэщI ДыщэкI Жаннэ и псалъэм къыхигъэщащ, я ныбжьым емылъытауэ, артист ныбжьыщIэхэм зэфIэкI хъарзынэхэр къызэрагъэлъэгъуар. АЛОКЪУЭ Аринэ, Бахъсэн район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26864.txt" }
НэхъыфIхэм хабжэ УФ-м и щIыналъэхэм я тхылъ тедзапIэ нэхъыфIхэм ящыщу къалъытащ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я IуэхущIапIэр. 2011 — 2012 гъэхэм Урысейм и щIыналъэхэм я къыдэкIыгъуэ нэхъыфIхэр щызэхуахьэсыну тхылъым хагъэхьэн папщIэ я лэжьыгъэхэм щыщ хуагъэхьыну Котляров зэщхьэгъусэхэм хъыбар кърагъэщIащ. А каталогыр утыку щрахьэнущ дуней псом и тхылъ щапIэ цIэрыIуэхэу Лейпциг, Франкфурт, Лондон, Париж, Пекин, Белград щекIуэкIынухэм. Каталогым хагъэхьэну тхылъ къыхэхахэм (тедзапIи 10 — 12-м нэхърэ мынэхъыбэм яйхэм) гулъытэ хурагъэщIынущ хамэ къэралхэм я тхылъ тедзапIэхэмрэ тхылъ щапIэхэмрэ. Европэм и бзэ нэхъыщхьэхэмкIэ къыдагъэкIыну каталогыр щхъуэкIэплъыкIэу щытынущ, тхылъ тедзапIэхэм я лэжьыгъэм ухэзыгъэгъуазэ хъыбар кIэщIи и гъусэу. Котляровхэ я тедзапIэм теухуа напэкIуэцIитIым ихуащ «Черкесы: воины и мастера», «Заповедная страна: Кабардино-Балкария» сурэт альбомхэр, «Кавказ», «Народы Кавказа» сериехэм щыщ тхылъхэу «Балкария — страна гор и ущелий», «Абхазия — страна души» жыхуиIэхэр. ГЪУКIАКЪУЭ Идар.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26866.txt" }
Адыгэмрэ адыгэбзэмрэ быдэу дызэрымыубыдмэ… КIуэдыжынкIэ шынагъуэу къалъытахэм адыгэбзэр зэрыхабжэрэ гулъытэ нэхъыбэ хуэныкъуэ хъуащ. Адыгэ щыпсэу дэтхэнэ зы щIыпIэми хуэдэу, ди республикэми щекIуэкIащ анэдэлъхубзэм и махуэм теухуа зэхыхьэ зэхуэмыдэхэр. ГъэщIэгъуэнт Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм къыщызэрагъэпэща зэIущIэри. Ар иригъэкIуэкIащ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ Безыр Ленэ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Бейтыгъуэн Сэфарбий и псалъэм къыхигъэщащ бзэм хуэсакъын зэрыхуейм теухуауэ ди нэхъыжьыфIхэм къагъэна уэсятым дытетыну дэтхэнэ адыгэми ди пщэ къызэрыдэхуэр, бзэ нэхъыбэ пщIэху нэхъыфIми, уи анэдэлъхубзэм и зэран екIыу нэгъуэщIыбзэ щIызэбгъэщIэн зэрыщымыIэр, уи бзэр ебгъэфIэкIуэн папщIэ сыт хуэдэ Iэмалри къэбгъэсэбэп зэрыхъунур. Абы зэрыжиIэмкIэ, адыгэбзэр фIыуэ пщIэуэ къэплъытэн папщIэ Шортэн Аскэрбий, КIыщокъуэ Алим, Нало Заур, Тхьэгъэзит Зубер, бзэр фIыуэ зыгъэлажьэ нэгъуэщI тхакIуэхэм, усакIуэхэм я лэжьыгъэ купщIафIэхэм уеджауэ щытын хуейщ. — Тхылъыр кIуэдыжауэ е кIуэдыжыну жызыIэхэр щоуэ. Уеблэмэ, тхылъыр къэнэнурэ ар жызыIэхэр кIуэдыжынущ. ЗыбузэщIын щхьэкIэ тхылъ куэд уеджэн хуейщ, щIэныгъэм упэIэщIэмэ — дунейм утемыта пэлъытэщ. Адыгэбзэр тIэщIэкIыпэу тфIэкIуэдынкIэ зэрышынагъуэр къыщыдгурыIуэ нобэрей зэманым лъэпкъыр дызэкъуэувэу ди къарум къихь хуэдлэжьын хуейщ ар къэмыгъэхъуным. Адыгэмрэ адыгэбзэмрэ быдэу дызэрымыубыдмэ, а тIум я зыр зэманым тIэщIичынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Ди хабзэр тхыдэ хъуами, ди бзэр дывгъэхъумэж, — жиIащ Бейтыгъуэным. Адыгэбзэм и Iуэхур япэкIэ щIэмыкIуатэ щхьэусыгъуэу Сэфарбий къигъэлъэгъуахэм ящыщщ къэрал программэхэр нэхъыбэу урысыбзэм зэрытегъэщIар, лъэпкъыбзэр егъэфIэкIуэныр зи пщэ къыдэхуэ къэрал къулыкъущIэхэм мы Iуэхур Iэпэдэгъэлэл зэращIыр, анэдэлъхубзэм зегъэужьыным яхузэфIэкI зэрыхамылъхьэр, нэгъуэщIхэри. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым и лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Кхъуэжь Заурбэч Iуэхум ехьэлIауэ хэхэс адыгэхэм къадекIуэкI зы псалъэжь щапхъэу къихьащ: «Бзэр ди бзэщ, хабзэр ди щIэбзэщ». — Ди лъэпкъым и IуэрыIуатэмрэ пшыналъэхэмрэ нэхъыжьыфIхэм щыжаIэу щытар хьэщIэщыращ. А псалъэ Iущхэм щIэблэр щIапIыкIырти, бзэми хабзэми щыгъуазэу къэтэджырт. НэгъуэщI лъэпкъым дыхэмышыпсыхьыжыным дытелэжьэн хуейщ ноби, хабзэр дгъэзащIэмэ, адыгагъэри анэдэлъхубзэри тфIэкIуэдынукъым, — жиIащ Заурбэч. КъБКъУ-м и егъэджакIуэ Хьэщхъуэжь Заретэ къыхигъэщащ цIыхум адыгагъэу, цIыхугъэу, нэмысу хэлъымрэ хабзэр зэригъэзащIэмрэ анэдэлъхубзэр зэрищIэм куэдкIэ зэрелъытар, зи бзэр фIыуэ зымыщIэм и хабзэри зэрыхуэмыхъумэнур. Абы жиIащ адыгэбзэр къэралыбзэу щыт пэтми, ар зэрымылажьэр, щIэблэр анэдэлъхубзэм дедгъэхьэхын, ди бзэм зедгъэужьын папщIэ, Iуэхум ехьэлIа къэрал программэхэм дазэрыхуэныкъуэр. Адыгэр жылэ дыхъужын папщIэ ди бзэр, хабзэр тхъумэжын, дэтхэнэ зыми къытлъыс жэуаплыныгъэр нэсу зыхэтщIэн зэрыхуейм, дэ мы Iуэхур едмыгъэфIакIуэмэ, нэгъуэщI лъэпкъхэр къызэрыддэмыIэпыкъунум къытеувыIащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым и лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Ало Тимур. Ди бзэм и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. 1853 гъэм адыгэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Бырсей Умар зэхилъхьащ адыгэ алфавитыр. Адыгэ республикэм 2000 гъэм щегъэжьауэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэм 2005 гъэ лъандэрэ Адыгэбзэм и махуэр щагъэлъапIэ. Зэхыхьэр къызэзыгъэпэща Безыр Лени абы кърихьэлIахэми я жагъуэ хъууэ къыхагъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым а махуэр иджыри къыздэсым къызэрыщамыщтар. КърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ а Iуэхур гъэкIуэтэным теухуауэ лэжьыпхъэхэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэхэр, студентхэр, ди бзэм и къэкIуэнум иригузавэхэр, библиотекэм и лэжьакIуэхэр. БжьыхьэлI Розэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26869.txt" }
Къалэнхэр яубзыху Кисловодск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ волонтер зэщIэхъееныгъэм зегъэужьыным теухуа щIыналъэ форум. Ар къызэригъэпэщащ «ЩIалэгъуалэ проектхэм я центр» бюджет IуэхущIапIэу Ставрополь крайм щыIэм. ЗэIущIэр зытеухуауэ щытар волонтер зэщIэхъееныгъэхэм нэхъри зегъэужьынырщ, щIалэгъуалэр абы хэшэнырщ, апхуэдэ зэгухьэныгъэхэр я лэжьыгъэм и пIалъэкIэ зэхъуэжэнырщ. Форумым и къызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, нобэ къэралым зэманым къыхуегъэув жылагъуэми властым и органхэми социальнэ гугъуехьхэр зэфIахын папщIэ волонтер зэщIэхъееныгъэхэм зегъэужьыным гулъытэ нэхъыбэ хуэщIыпхъэу. Абы папщIэ, щIыналъэхэм щызэхэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ щIыпIэ властхэмрэ зэрыубыду, Iуэхур ягъэкIуэтэн хуейщ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъуэгу псоми щыщ волонтер гупхэр зэIущIэм хэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIащ щIалэгъуалэ нэхъ жыджэр дыдэхэр зыхэт, Ульбашевэ Джамиля зи унафэщI «Волонтер-07» зэгухьэныгъэр. «Волонтерыр фIым хуэплъэ, Iуэху щхьэпэ зэфIэзых цIыхуу зэрыщытыр, ар къэралым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм сэбэп зэрыхуэхъуфынур цIыхухэм зыхедгъэщIэнырщ ди къалэн нэхъыщхьэр. АбыкIэ сэбэпынагъ куэд къызыпэкIуэщ мыпхуэдэ зэIущIэхэр», — жиIащ Ульбашевэм. Форумым ныбжьыщIэхэр щызэхьэзэхуащ, нобэ япэ ирагъэщ Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ джэгу-зэпеуэхэр, дерсхэр екIуэкIащ. ЗэIущIэм хэта волонтерхэм Кисловодск къалэм жыгхэр щыхасащ, — дызэрыт илъэсыр дыкъэзыухъурехь дунейр хъумэным хухэхауэ зэрыщытыр цIыхухэм ягу къагъэкIыжу. Форумым зыкъыщызыгъэлъэгъуа псоми сертификатхэр иратащ. Шыпш Даянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26871.txt" }
Сабий зеиншэхэм гулъытэ хуащI Налшык дэт Иджырей Гуманитар Академием мэлыжьыхьым и 3-м щекIуэкIащ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэ зыкIэлъымыплъыжхэмрэ зыхуей хуэгъэзэныр я нэIэм щIэту Урысей Федерацэм ит къэрал IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ я лэжьакIуэхэмрэ щызэпсэлъа «Зеиншагъэ къэмыгъэхъунымрэ адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабийхэм унагъуэ къахуэлъыхъуэнымрэ хуэунэтIа щIыналъэ системэхэр» зыфIаща телеконференц. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и къудамэ зэмылIэужьыгъуэхэм я Iэтащхьэхэр, зеиншэу къэна ныбжьыщIэхэр щапIыж сабий унэхэмрэ интернатхэмрэ я унафэщIхэр, гъэсакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Урысей Федерацэм цIыхуу щыпсэур зэрыщыту къапщтэмэ, ди республикэм сабий зеиншэхэр куэдкIэ щынэхъ мащIэщ. Ауэ мы Iуэхум дэри дегъэгузавэ. Адрей щIыпIэхэми хуэдэу, иджыпсту ди республикэм псалъэмакъ щокIуэкI зеиншэу къэна сабийм и унафэр ар зыщыщ лIакъуэми егъэщIын хуейуэ. Сэри апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм срителъхьэщ. КъищынэмыщIауэ, лъэпкъ зэхуэсхэм къыщаIэтыфынущ езыхэм ящыщ щIалэгъуалэр къуейщIеиным демыгъэхьэхыным, фIым хуэущииным хуэгъэза Iуэхугъуэхэри, — жиIащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Жанатаев Сэлим. Ар зэрегупсысымкIэ, сабийр зеиншэ мыгъэхъуныр нэхъ тыншщ, адэ-анэ зыкIэлъымыплъыж сабийхэм унагъуэ къахуэплъыхъуэжын нэхърэ. — Иджыпсту ди къэралым псалъэмакъ куэд щокIуэкI сабий зеиншэхэр зыпIыжхэм мылъку нэхъыбэкIэ защIэгъэкъуэн хуейуэ, — къыпещэ депутатым. — Езы сабийхэр къэзылъхуахэм ядэIэпыкъумэ мынэхъыфIу пIэрэт? Сыту жыпIэмэ, языныкъуэхэм къалъхуахэр щIамыпIыжыфым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ а унагъуэхэр мылъкурэ зыщIэсын унэкIэ къызэрызэмыгъэпэщар. Мы зэманым республикэм и сабий унэхэмрэ интернатхэмрэ ныбжьыщIэ мини 2-м нэблагъэ щыIэщ. Абыхэм ящыщу 380-р унагъуэ хуэныкъуэу къалъытэ. Къэрал хабзэм къызэригъэувымкIэ, дэтхэнэ зы сабий зеиншэми, и ныбжьыр илъэс 18-м нэмыс щIыкIэ, зыщыпсэун унэ къыхузэрагъэпэщауэ щытын хуейщ. А хабзэр ди республикэм зэрыщагъэзащIэм и гугъу щищIым, Жанатаевым жиIащ: — Дызэрыщыгъуазэщи, ди къэралым илъэс куэд щIауэ социальнэ псэупIэу щаухуэр мащIэ дыдэщ. Абы къыхэкIкIэ нэгъуэщI хэкIыпIэхэр къэтлъыхъуэн хуей мэхъу, икIи ар дэ хуэм-хуэмурэ къыдэхъулIэу къызолъытэ. Гъэ блэкIам и закъуэ къриубыдэу сабий зеиншэу 118-рэ щIэдгъэтIысхьащ щыпсэу хъуну унэхэм. Ар, дауи, япэрей илъэсхэм тхузэфIэкIам нэхърэ нэхъыбэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм сабий зеиншэу республикэм ис псори 2015 гъэм ирихьэлIэу псэупIэ унэкIэ къызэригъэпэщыну къалэн зыхуигъэувыжащ. Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26875.txt" }
Дунейпсо гъэмахуэ театрым зэхешэ УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм ди республикэм и актер, режиссер нэхъ щIалэхэр иджы япэу иригъэблэгъащ Дунейпсо гъэмахуэ театр школым хэтыну. Мы школым Iэмал къыует уи зэфIэкIхэм хэбгъэхъуэну, уи къэухьым зебгъэужьыну. Къэбгъэлъагъуэмэ, проектыр къызэзыгъэпэщахэм я мурад нэхъыщхьэр къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я артистхэр зэхишэу, я зэфIэкIкIэ зэригъэхъуэжэнырщ, ахэр нэхъ быдэу зэпищIэнырщ. УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм мы зэхыхьэр къызэригъэпэщынымкIэ нэхъапэми зыкъыщIагъэкъуащ УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэм, Москва областым ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм. Дунейпсо гъэмахуэ театр школыр йокIуэкI СНГ-мрэ Балтиемрэ я къэралхэм я урыс театрхэм зэрадэIэпыкъу программэ хэхам тету. Ар УФ-м и Президентым и нэIэм щIэту къызэрагъэпэщ, текIуэдэну мылъкур хухэзыхынур УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэрщ. КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм зэриубзыхуамкIэ, Дунейпсо гъэмахуэ театр школым хэтынущ КIэбышэ Iэхьед (ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актерщ), Мизиев Iэубэчыр (Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и актер, режиссер), Каграманян Грант (Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ театрым и актер, режиссер) сымэ. Театрым и лэжьакIуэ нэс тхылъ къудейкIэ ухъуфынукъым, гъуазджэм и купщIэм унэсын щхьэкIэ, зэпымыууэ гъэсакIуэм удэлэжьэн хуейщ. Аращ зытещIыхьари зи гугъу тщIы школым и лэжьыгъэр. Режиссер, актер цIэрыIуэхэмрэ театр еджапIэ нэхъыщхьэхэм я егъэджакIуэ нэхъыфIхэмрэ я дерсхэр нэхъыщIэхэм къахуэщхьэпэнущ, ахэр куэдым хагъэгъуэзэнущ. КъищынэмыщIауэ, урысей режиссерхэм ящIыгъуу спектаклхэр ягъэувынущ абыхэм. Проектым и унафэщI Калягин Александр нэхъ ипэIуэкIэ щылэжьащ Оксфорд щыIэ Британо-американскэ драмэ школым (BADA), Театр гъуазджэмкIэ дунейпсо школу Чеховым и цIэр зезыхьэм (Цюрих къалэ), Париж щыIэ Бобиньи и театрым. КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэр щогугъ ди артист щIалэхэм проектым щагъэкIуэну зэманым, езыхэм нэмыщI, зэрыреспубликэуи пщIэ къыхуихьыну. ГЕРАСИМОВЭ Риммэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26877.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэр илъэс 75-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентыр илъэс 20 зэрырикъур гъэлъэпIэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ 2013 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэр илъэс 75-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентыр илъэс 20 зэрырикъум къыхэкIыу унафэ сощI: 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэр илъэс 75-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентыр илъэс 20 зэрырикъум зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар гъэлъэпIэнымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет къэщтэн, мы Указым и гуэдзэным зэритым хуэдэу. 2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хуэгъэувын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэр илъэс 75-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентыр илъэс 20 зэрырикъум зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар гъэлъэпIэнымкIэ ялэжьынухэм я планыр къызэгъэпэщакIуэ комитетым къызэрыхилъхьам ипкъ иткIэ къищтэну. 3. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым хуэгъэувын гуфIэгъуэ дауэдапщэм зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымрэ, апхуэдэу а лэжьыгъэхэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къыщыгъэлъэгъуэныр республикэм и къэрал властым и органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм ящIыгъуу къызэригъэпэщыну. 4. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 8-м №54-УГ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26880.txt" }
Мы махуэхэм Мэлыжьыхьым и 13, щэбэт 1895 гъэм Къэрал Урыс музейр къызэIуахащ. Адыгэ узэщIакIуэ, еджагъэшхуэ ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр къызэралъхурэ илъэси 108-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 11 — 14, жэщым градуси 7 — 8 щыхъунущ. Мэлыжьыхьым и 14, тхьэмахуэ 1912 гъэм «Титаник» кхъухь абрагъуэр Атлантикэ хым щыщIилъэфащ. Псым хэлъ мыл абрагъуэм щыжьэхэуам, абы исащ цIыху 2224-рэ. Абыхэм ящыщу къелар 710-рщ, адрей 1514-р хэкIуэдащ. 1945 гъэм Москва къыщызэIуахащ СССР-м и АН-м и Ботаникэ хадэ нэхъыщхьэр. 1956 гъэм видеомагнитофон япэу ящIащ. КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Безрокъуэ Олег и ныбжьыр илъэс 63-рэ ирокъу. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Тау Ибрэхьим и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 12 — 16, жэщым градуси 9 — 11 щыхъунущ. Мэлыжьыхьым и 15, блыщхьэ 1395 гъэм Тамерланрэ Тохъутэмыщрэ Тэрч и деж щызэзэуащ. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Слъон Лудин и ныбжьыр илъэс 79-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 11 — 15, жэщым градуси 6 — 11 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "26882.txt" }