text
stringlengths
11
353k
meta
dict
ЛIыхъужь и лъэужь кIуэдыркъым Къущхьэ Сэхьид щIэблэ игъуэтыным уэпабгъэу илъэси 10-кIэ псэуат. Абы иужькIэ къалъхуа сабиитIри щIэх дыдэу лIэжат. Ещанэм щыпэплъэм, апхуэдэ гузэвэгъуэ иджыри къалъэмыIэсын папщIэ, адыгэхэм я фIэщ хъууэ, сэбэп къахуэхъуу щыIэ нэщэнэхэр зрагъэщIащ. Абыхэм языхэзым ипкъ иткIэ, сабий къалъхуагъащIэр занщIэу кIыщым яхьу, гъущI гъэплъар зэрагъэупщIыIу псымкIэ ягъэпскIыу, «кIыщ» хэту цIэ фIащын хуейт. Алыхьым къарита щIалэ цIыкIум апхуэдэ хабзэхэр кIэлъызэрахьэри, КIыщыкъуэ фIащащ. Къущхьэ КIыщыкъуэ Сэхьид и къуэр ЩIалэр, Тхьэм узэрелъэIун жыхуаIэм хуэдэу, жану, нэжэгужэу, гурыхуэу, жыIэдаIуэу къэхъуащ. Ар дунейм къытехьат 1923 гъэм накъыгъэм и 1-м. Абы иужькIэ къалъхуащ Гъумар, Замилэ, нэхъыщIэ дыдэу Мухьэжид сымэ. Хуэкъулейтэкъым Сэхьид и бынунэр, ауэ унагъуэшхуэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, щхьэж хузэфIэкIыр ищIэу, яшхынрэ ящIэнрэ ягъуэту къэгъуэгурыкIуащ. Адэ-анэм бынхэм ткIийуэ хуагъэувырт адыгэ хабзэм тету: нэхъыжьхэм, цIыхубзхэм, сабийхэм гулъытэ, пщIэ хуащIу, езыхэр зэрыIыгъыу, нэмыс яхэлъу псэуну. Сэхьид лэжьыгъэр фIыуэ илъагъурт, бзэ IэфI Iурылът, псалъэрейтэкъым, жиIар сыт щыгъуи игъэзэщIэжырт. Абы фIыуэ илъагъурт икIи гукIэ ищIэрт цIыху губзыгъэхэм я псалъэ Iущхэр — псом хуэмыдэу Къэзанокъуэ Жэбагъы, Нэгумэ Шорэ сымэ къытхуагъэна псалъэжьхэр. ЛIэщIыгъуэ блэкIам, 20 — 30 гъэхэм псэуныгъэр нэхъ гугъуу щыщытам, Къущхьэхэ я гъунэгъухэм гу лъатэрт, адэм унагъуэ Iуэхухэр сабийхэм ящхьэщихыурэ, еджэным нэхъ егугъуным зэрыхуиущийм. Абыхэм кIэщIу жэуап яритауэ щытащ Сэхьид: «Зэманым псори къигъэлъэгъуэнщ». ИкIи мыгувэу ар наIуэ къэхъуащ. КIыщыкъуэ еджапIэм щIэтIысхьа нэужь, еджэным и гур хуабжьу етат, егъэджакIуэм жиIэр псынщIэу къипхъуатэрт. Абы къыхэкIкIэ, егъэджакIуэхэм я советым и унафэкIэ, зы илъэсым 1-нэ, 2-нэ классхэр кърагъэухауэ щытащ. Япэ дыдэу къуажэ школыр къэзыуха цIыху 11-м ящыщащ КIыщыкъуэ. Абы «5» защIэкIэ еджэныр къызэрырихьэлIам щыхьэт техъуэ дэфтэрым щытхъу тхылъ и гъусэу къратыжат. А зэманым дыщэ медаль яту щытакъым. Школыр къэзыухахэм я аттестатхэр щыIэрагъэхьэж гуфIэгъуэ пщыхьэщхьэр къуажэми, районми щагъэлъэпIэну траухуауэ щытащ 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м. Пшыхьыр дахэ дыдэу зэфIэкIат. Ауэ а жэщым и пщэдджыжьым гум имыхужын нэщхъеягъуэшхуэр къэхъуащ — нэмыцэхэр ди къэралым къытеуащ. Школыр къэзыухагъащIэ КIыщыкъуэ, тхьэмахуитI нэхъ дэмыкIыу, зауэм ираджащ. Краснодар дэт дзэ училищэм мазихкIэ щеджэри, зенитгъауэ взводым и батареем и командиру щытащ. Зауэ нэужьым КIыщыкъуэ къыхуагъэфэщащ Дзэ академием щIагъэтIысхьэну, ауэ, адэ-анэм я лъэIукIэ, абы къигъэзэжащ щалъхуа щIыналъэм. Iуащхьэмахуэ райкомым и къудамэм и унафэщIу, секретару лэжьащ. Къэбэрдей къэрал педагогикэ институтыр, Бгырыс мэкъумэш институтыр къиухащ. 1950 гъэм и ныбжьыр илъэс 27-м иту КIыщыкъуэ Тэрч райкомым и япэ секретару хахащ. ЗэфIэкI хъарзынэ зэриIэм гу лъатэри, обкомым и мэкъумэш къудамэм и унафэщIу мыгувэу Налшык къашэжащ. Зэман дэкIри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и обкомым и секретару, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и унафэщIу хахащ. КъБР-м и Правительствэм КIыщыкъуэ щылэжьащ илъэс 21-кIэ. Абы щыщу илъэс 16-кIэ Правительствэм и УнафэщIу (1969 — 1984 гъгъ.), щэнейрэ КПСС-м и съездхэм я делегату щытащ. КъБАССР-м, РСФСР-м, СССР-м я депутату илъэс 30-кIэ екIуэкIащ. НыбжькIэ нэхъыжьхэм ящIэж, а илъэсхэр республикэм и зыужьыныгъэшхуэ зэману зэрыщытар: экономикэм, щIэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным я лъэныкъуэкIэ ипэкIэ кIуатэрт. А псоми илъэс 40-м щIигъукIэ псэемыблэжу хэлэжьыхьащ КIыщыкъуэ, IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэхэм пэрыту. ИкIи цIыхубэм я псэукIэр ефIэкIуэн папщIэ Iуэхугъуэ куэд гъащIэм хипщащ. Къущхьэ КIыщыкъуэ зыцIыхуу щыта куэдым я гум къинэжащ цIыху хьэлэлу, гуапэу, нэмысыфIэу, гущIэгъу хэлъу, фIы зэрилэжьыным хущIэкъуу зэрыщытар. Абыхэм ящыщу илъэс зэхуэмыдэхэм жаIахэр нобэ тыдодзэ. РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и сессием хэтщ. Москва, Кремль, 1980 гъэ Куэдым къащхьэщыкI Хэку зауэшхуэр иуха нэужь, къэзыгъэзэжа, абы къыщихьа дамыгъэ куэдым зи бгъэр ягъэдахэ офицер щIалэ екIу, 1950 гъэм коммунист партым и Тэрч райкомым и япэ секретару ягъэкIуа Къущхьэ КIыщыкъуэ районым и цIыхухэр къыбгъэдэуващ, фIыкIэ къыщыгугъыу. Сэ илъэс 14 сыхъуауэ арат, ди унэм и гъунэгъу фэтэрым КIыщыкъуэ и щхьэгъусэ Сэкинат, и пхъухэу Людэрэ Светэрэ, и анэшхуэ Къэрал сымэ и гъусэу къыщыIэпхъуам. Илъэс дэкIри Татьяни къахэхъуащ. Абы щыгъуэ дэ КIыщыкъуэ щытлъагъур зэзэмызэт. Ар и «Виллис»-мкIэ пщэдджыжьым жьыуэ дэкIырт, пщыхьэщхьэм къыщыкIуэжыр хэкIуэтауэт. Ар икIи гурыIуэгъуэт. Зауэм зэхикъутахэр псынщIэу зэфIэгъэувэжын, республикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зи- Iэ районым зегъэужьын хуейт. Зэман кIэщIым къриубыдэу КIыщыкъуэ а IэнатIэм зыкъыщигъэлъэгъуащ япэ игъэщын хуей къалэнхэр гъэзэщIэным цIыхухэр хузэщIигъэуIуэу, лэжьыгъэр фIыуэ илъагъуу, цIыхухэм я гум къишхыдыкIыу, и щхьэми и унафэм щIэтхэми яхуэткIийуэ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм районым и социально-экономикэ гъащIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зригъэхъуэжырт. Тэрч районым зэрыщыIэрэ илъэситI хъуауэ, КIыщыкъуэ ираджэжри, партым и обкомым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и къудамэм и унафэщIу ягъэуващ икIи партым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и бюром хагъэхьащ. Хэт игу къэкIынт а зэманым а цIыху хьэлэмэтым сэ гъунэгъу сыхуэхъуну?! КIыщыкъуэ лэжьыгъэкIэ япэу сыхуэзащ 1962 гъэм. Абы щыгъуэ сэ, IэщIагъэлI ныбжьыщIэм, згъэунэхурт комбайнхэр, США-м зэрыщащIым хуэдэу, хьэцэпэцэр, нартыхур Iухыжыным къыщыгъэсэбэпа зэрыхъунур. Абы щыгъуазэ зыхуащIыну Совет Армэм и цIэкIэ щыIэ колхозым къэкIуащ Правительствэм и унафэщI Ахъуэхъу Аслъэнбийрэ партым и обкомым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и секретарь Къущхьэ КIыщыкъуэрэ. Абыхэм ящIыгъут «Мэкъумэштехникэ» зэгухьэныгъэм и унафэщI Левченкэ, нэгъуэщIхэри. КIыщыкъуэ имыщIэ псоми щыгъуазэ зыхуищIу и хьэлти, езгъэкIуэкI гъэунэхуныгъэр зригъащIэри, комбайным и зэхэлъыкIэм зэхъуэкIыныгъэ гуэр хилъхьауэ щытащ. ИужькIэ, си насып кърихьэкIри, абы сыдэлэжьащ, япэ щIыкIэ «Мэкъумэштехникэ» зэгухьэныгъэм сриунафэщIу, итIанэ илъэси 8-кIэ езым, республикэм и Правительствэм и Iэтащхьэм, срикъуэдзэу. КIыщыкъуэ куэдым къащхьэщыкIырт ищI мурадым и Iэр зэрытригъахуэмкIэ, Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIымкIэ, лэжьыгъэм зэрытемызашэмкIэ, къызэрыгуэкIыу зэрыщытымкIэ, лъэпкъ зэхэгъэж зэримыщIымкIэ, ныбжьэгъугъэр зэригъэпэжымкIэ. А хьэлыфIхэр езыр къэзыухъуреихьхэм зэрызахригъэлъхьэным дапщэщи иужь итт. Ар цIыхубэм япыщIат, абыхэм къыхалъхьэ жэрдэмыфIхэр гуапэу ядиIыгъырт. Сэ КIыщыкъуэ зэман кIыхькIэ сызэрыдэлэжьам хуитыныгъэ къызет 1950 — 1980 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым игъуэта зыужьыныгъэшхуэм куэд зэрыхищIыхьар жысIэну. Абыхэм дыщIызгъуну сыхуейщ республикэм и тхыдэм лъэужьыфI къыхэзына КIыщыкъуэ и къуэшхэу Гъумар, республикэм и электроэнергетикэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа Мухьэжид, инми цIыкIуми яхуэгуапэ я шыпхъу Замилэ зэрысцIыхуар. Ахэр къыщыхъуа унагъуэм адыгэ хабзэр, нэмысыр дапщэщи щытепщэти, Сэхьид и бынхэр къэхъуащ хьэлэлу, гъэсауэ, республикэм, цIыхубэм щхьэкIэ ямыщIэн щымыIэу. Мамхэгъ Михаил. Си классэгъу цIэрыIуэ Зеикъуэ къыщызэIуаха колхозым и пионер лагерым 1936 гъэм КIыщыкъуэ къыщысцIыхуащ. ИкIи гум имыкIыж ныбжьэгъу пэжу сиIащ ар псэуху. Лагерым гъэсэныгъэм, сабыру загъэпсэхуным кIэлъыплъу тест КIыщыкъуэ и адэ Сэхьид. Ар цIыху гуапэу, емызэшу сабийхэм якIэлъыплъу, зыхуей хуигъазэу, бзэ дахэ Iурылъу, адыгэ хабзэм, нэмысым гулъытэ хуищIу къытхэтащ. И анэ Кулижани пщафIэт. Ерыскъы IэфIхэр цIыкIухэм яхуигъэхьэзырт. КIыщыкъуэрэ сэрэ ткIэрымыкIыу, зэран тIэкIуи къытхуэхъуу, КIыщыкъуэ и шы нэхъыщIэ Мухьэжид цIыкIу ди гъусэт. КIыщыкъуэрэ сэрэ школ зырызым дыщеджэрт, ауэ зэхэсхырт школ псоми нэхъыфI дыдэу еджэу зи цIэр ираIуэр зэрыарар. 1937 гъэм еханэ класситхум щыщу зы ебланэ класс еджакIуэ 47-рэ хъууэ зэхагъэтIысхьэри, КIыщыкъуэрэ сэрэ зэгъусэу дыздеджэ хъуащ. Дызэрызэдеджа илъэсиплIым сэ быдэу мурад сщIат еджэнымкIэ абы зыкъыкIэрызмыгъэхуну. АрщхьэкIэ, схузэфIэкIакъым, етIуанэ увыпIэр къысхуэхьауэ аращ. ИлъэсиплIым къриубыдэу еджакIуэ 47-м ящыщу япэ дыдэу 1941 гъэм къуажэ школыр къэзыухауэ щытар цIыху 11-т, тIум щытхъу тхылъ и гъусэу — КIыщыкъуэрэ сэрэ — аттестатхэр къыдатыжат. Къуажэми, колхозми, районми я унафэкIэ гуфIэгъуэ пщыхьэщхьэр мэкъуауэгъуэм и 21-м щIадзэри, щIалэгъуалэр иджыри зэбгрымыкIыжауэ, радиом къитащ нэмыцэхэр къызэрыттеуар. Псоми ди мурад дахэхэр зауэм зэтрикъутащ. …Си ныбжьэгъу КIыщыкъуэ зауэм къикIыжащ капитану, зенитгъауэ батареем и командиру, орден лъапIэу плIы хэлъу. Зауэ нэужьым къулыкъу лъагэхэр зэрихьащ, илъэс куэдкIэ Правительствэм и унафэщIу щытащ. ГъукIэлI Хъусен. 1993 гъэ Налшык щохьэщIэ къыргъыз тхакIуэ цIэрыIуэ Айтматов Чингиз. 1977 гъэ Къущхьэхэ КIыщыкъуэрэ Сэкинатрэ ящIыгъущ япхъухэу Светланэрэ Татьянэрэ, пхъурылъхухэу Сэкинатрэ Хьэрисрэ. Дэнэ жэм уасэр къыздикIар? Къущхьэ КIыщыкъуэ псоми ягъэщIагъуэу фIыуэ еджэрт. Ар школым къекIуалIэрт нэщхъыфIэу, Iэдэбу, нэмыс хэлъу, хьэл-щэн дахэ иIэу. КIыщыкъуэ сыт щыгъуи хуэхьэзырт иджыри здынэмыса программэм итхэми жэуап къритыну. Сэ гупжьей къызэзгъэпэщат, усэ, рассказхэр зытххэр тезгъэгушхуэн папщIэ. Абы къекIуалIэхэм яхэтт КIыщыкъуэ. Зы махуэ гуэрым укIытапэурэ дэфтэр Iув къысхуеший, кхъыIэ, мы стхахэм ауан сыкъыумыщIу къысхуеджэ, жеIэри. Ауан сщIэркъым, жэщыр зэрыхэкIуэтар сщыгъупщэжри, итхауэ хъуар щIэзджыкIат зы пщыхьэщхьэм. Хуабжьу сигу ирихьат. ЕтIуанэ махуэм щIалэ цIыкIум жызоIэ: «Мыр пщэдей схьынщи, ди усакIуэшхуэ, «Къэрэхьэлъкъ» газетым щылажьэ ЩоджэнцIыкIу Алий естынщ». ГуфIэу арэзы щыхъум, Алий деж сыкIуащ, езыми гуапэу сригъэблэгъащ. Къызэхъуэхъуащ школым щезгъэкIуэкI егъэджэныгъэ, гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэм папщIэ. Iуэхур зытетыр щыжесIэм, щыгуфIыкIащ, тетрадыр сIихри, къигъэнащ. «Мы усэхэр зытха щIалэ цIыкIур слъэгъуамэ арат», — жиIащ абы. Куэд дэмыкIыу хъыбар дигъащIэри, КIыщыкъуэ сшэри, ЩоджэнцIыкIум деж дыкIуащ. Алий гуапэу къытпежьащ. ПыгуфIыкIыу щIалэ цIыIум къеплъырт, зэрыхуэарэзым и нэщэнэу. Зыкъыхуигъазэри, къыжриIащ и усэхэм ящыщ газетым къытридзэну къызэрыхихар, адрейхэми еплъыжыну, и тетрадым къыхуритхахэм фIыуэ щыгъуазэ зищIыну къеущиящ. Зы махуэ гуэрым еджэныр зэфIэкIауэ сыкъыщыщIэкIыжым, школ бжэIупэм Сэхьид Iутт. Сэлам къызехри, жеIэ: «Тхьэ дыгъэIэ, нэгъэсауэ уугъурлым, Шыбзыхъуэхэ япхъу. ЩIалэжь цIыкIум зэрихъахэр газетым къытребгъэдзащ жысIэурэ згъэщIагъуэрти, нэхъ хьэлэмэтыжыр къыкъуэкIащ, а усэхэм къапэкIуа ахъшэм хэслъхьэж щIагъуэ щымыIэу жэм дэгъуэ къыщIэкIащ. ГъащIэм ехъулIэныгъэ куэд Тхьэм къущит». Ноби сощIэж КIыщыкъуэ и усэхэу «Си къуажэ», «Гъатхэ», «Ныбжьэгъу», нэгъуэщIхэри. Шыбзыхъуэ Нинэ, егъэджакIуэ. 2003 гъэ Махуэ къэс Къущхьэ КIыщыкъуэ сыщыхуэзар узыншагъэр хъумэнымкIэ министру сагъэувын мурадкIэ сыщрагъэблэгъарщ. Япэ хуэзэгъуэм сэ хьэкъыу спхыкIащ а цIыхум пщIэ хуумыщIын зэрыпхузэфIэмыкIынур. Абы иужькIэ дапщэрэ сыхуэзами, ар апхуэдэу зэрыщытыр си нэгум щIэкIырт. Узыншагъэр хъумэнымкIэ министру сагъэувын и пэкIэ, республикэм и санаторэхэм ящыщ зым и унафэщIу сылэжьащ. Сэ къыспэщыт лэжьыгъэм си пащхьэм къалэн куэд къригъэувэрт, си закъуэкIэ сыпэмылъэщыну. АбыхэмкIэ чэнджэщ зэсхьэлIэр, хьэуи къыхимыгъэкIыу къыздэIэпыкъур махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зыгуэрым сыхуезыгъаджэ КIыщыкъуэт. Ар сэ къыздэIэпыкъуащ унафэщI сыхъунымкIэ. КIыщыкъуэ гулъытэ зиIэ икIи ткIиигъэ зыхэлъ егъэджакIуэт. Абы куууэ хищIыкIырт узыншагъэр хъумэным, экономикэм, ухуэныгъэм, промышленностым, мэкъумэш хозяйствэм. Къущхьэр республикэм и Министрхэм я советым и унафэщIу щыщыта 70 — 80 гъэхэм завод, фабрикэ инхэр яухуащ, Iэщ комплекс, псы щIэгъэлъэдапIэ хьэлэмэтхэр къызэрагъэпэщащ. Гулъытэшхуэ хуащIащ социальнэ Iуэхугъуэхэм: школхэр, сабий гъэсапIэхэр, яслъэхэр, киногъэлъэгъуапIэхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэхэр яухуащ. Узыншагъэр хъумэным теухуауи ящIар мащIэкъым. Къалэхэм, районхэм щаухуащ сымаджэщхэр, поликлиникэхэр, къуажэхэм къыдэхутащ дохутыр амбулаторэ, фельдшер-акушер пунктхэр. Медицинэ Iэмэпсымэ куэд къащэхуащ. А псори дэIэпыкъуэгъуфI хъуащ цIыхухэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымкIэ. Узыншагъэм пыщIауэ КIыщыкъуэ сыт хуэдэ IуэхукIэ зыхуэзгъэзами, гупсэхуу къедаIуэрти, къыздэIэпыкъурт. Апхуэдэу абы гулъытэ хэха хуищIырт республикэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным, къешэлIэным. Къащтэ унафэхэр куууэ, егупсысауэ гъэхьэзырыныр, ахэр гъэзэщIэным хуэткIииныр КIыщыкъуэ дежкIэ ехьэкIыпIэ зимыIэт. КIыщыкъуэ псалъэрейтэкъым, хузэфIэкI къимыгъанэу хэти дэIэпыкъурт. Ар бынхэм гулъытэ яхузиIэ икIи яхуэткIий адэти, бын хьэлэмэтхэр игъэсащ. Бер Мухьэдин. КъехьэкI-нехьэкI иIэтэкъым Абы теухуауэ тхылъ птхы хъунущ. Хэку зауэшхуэм и гъуэгухэм 1941 гъэм теувэри, ар иухыу ТекIуэныгъэр къызэрытхьамкIэ хьэрэкIытIэхэр щагъэуа 1945 гъэ пщIондэ, ирикIуащ лIыгъэ къигъэлъагъуэу, бийм хэщIыныгъэ ириту. 1952 гъэм щыщIэдзауэ дунейм ехыжыху, абырэ сэрэ зы мэкъумэшыщIэ гупым дыхэту декIуэкIащ. Ар адрейхэм къащхьэщыкIырт зэщIэкъуауэ зэрыщытымкIэ, зэрыцIыху пэжымкIэ, и щIэныгъэм хигъэхъуэным зэрыхущIэкъумкIэ, зэрыгуапэмкIэ, зэрыерыщымкIэ. Зауэ нэужь илъэсхэм апхуэдэ лэжьакIуэхэм хуэныкъуэт республикэри, ар хуэфащэу и къулыкъукIэ драгъэкIуэтейуэрэ КПСС-м и обкомым и секретарым, КъБАССР-м и Министрхэм я советым и унафэщIым нэсащ. А къалэн мытыншхэр игъэзащIэу зэрылэжьа зэманым щыщу илъэсипщIым КIыщыкъуэ и япэ къуэдзэу сыщытащ. Зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ къызэгъэпэщакIуэ Мэлбахъуэ Тимборэ и унафэм щIэту а илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хуабжьу зиIэтащ. Псом хуэмыдэу мэкъумэш хозяйствэм зыужьыныгъэшхуэ иIэт. Абы и щыхьэту къэбгъэлъагъуэну ирикъунщ илъэс 22-м къриубыдэу Урысейм нартыху гъэкIынымкIэ щызэIэпах бэракъыр тIэу фIэкIа ди республикэм зэрыIэщIэмыкIар. Ауэ КIыщыкъуэ дежкIэ дгъэзэжынщи, зэрыщытар къэдгъэлъэгъуэнщ. Ар захуэу, ерыщу дунейм зэрытетам и щапхъэ къэсхьыну сыхуейщ. Мэкъумэш хозяйствэмкIэ республикэм и актив екIуэкIырт. Президиумым КПСС-м и обкомым и бюром хэтхэр, Тэрчокъуэ Къамболэт, сэ дисщ. Доклад зыщI Къущхьэ КIыщыкъуэ республикэм и ехъулIэныгъэхэм топсэлъыхь, итIанэ ди дежкIэ и щхьэр къегъазэри жеIэ: «Республикэм лэжьапщIэу ахъшэ щытыным хуэкIуэнымкIэ щIэн хуейр и пIэм йоуджыхь, икIи абыкIэ къуаншэр ди генералхэу Тэрчокъуэ Къамболэт, Евтушенкэ Николай сымэщ (абы щыгъуэм республикэм и дэнэ щIыпIи щыфIэдзат «пелуани 3-р» Тэрчокъуэ Къамболэт, Бгъэжьнокъуэ Хьэчим, Евтушенкэ Николай сымэ зэрыт плакатхэр) икIи абыхэм я хозяйствэхэр ахъшэ тыным хуагъэкIуэху, а Iуэхур япэкIэ кIуэтэнукъым». Ди дежкIэ ар зыкъыдэзыгъэщIэж псы щIыIэ фалъэт. Апхуэдэт КIыщыкъуэ. КъехьэкI-нехьэкI иIэтэкъым, ерыщт икIи гуапэт. ИкIи ар зыгъэпIейтея а Iуэхур ди хозяйствэхэм, зэрыщыту республикэм, псынщIэу щызэфIэкIащ. ЦIыхухэм я фIэщ хъурт, фIыуэ ялъагъурт Къущхьэ КIыщыкъуэ. Абы зыкъыфIагъэщIыжакъым орден куэдым, лIыхъужьыгъэм, лэжьыгъэшхуэм къапэкIуа медалхэм. Къулыкъу лъагэхэмрэ цIэ лъапIэхэмрэ ятекIуэ зауэлIт ар. Евтушенкэ Николай, Хэку зауэшхуэм хэта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. Щапхъэ лъагэ Къущхьэ КIыщыкъуэрэ абы и унагъуэшхуэмрэ дэ тпэгъунэгъуу псэуащ. Республикэм и парт, совет унафэщI ину щыт пэтми, КIыщыкъуэ къызэрыгуэкIт, зи гури зи псэри зэIуха цIыхут. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ и ныбжькIэ нэхъыжь, а зэманым пенсэм щыса ди адэм абы пщIэшхуэ хуищIу зэрыщытар. Зэи щыгъупщэртэкъым си адэмрэ анэмрэ махуэшхуэхэмкIэ, псом хуэмыдэу, щэкIуэгъуэм и 7-мкIэ, ТекIуэныгъэм и махуэмкIэ къехъуэхъуну. Ди адэм дэ, и бынхэм, ар щапхъэу къытхуихьырт. «Флъагъурэ, — жиIэрт абы, — къулыкъушхуэ иIэ пэтми къызэрыгуэкIыу зэрыщытыр, зыми зэремыпагэкIыр, и щхьэр зэримыIэтыр». Абы щыгъуэми КIыщыкъуэ ящыщащ республикэм и унафэщI цIэрыIуэхэу зауэ нэужь зэманым къыхэхъукIахэм. Сэлэт джанэхэр щамыхыжауэ, я уIэгъэхэр мыгъущыжыпауэ, дамыгъэ лъапIэхэр я бгъэм хамыхыжауэ, хозяйствэр зэфIэгъэувэжыныр, экономикэр, щэнхабзэр, псэкупсэ гъащIэр къэгъэщIэрэщIэжыныр я дамэм тралъхьащ. Къущхьэ КIыщыкъуэ партым и обкомым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и секретару, иужькIэ республикэм и Министрхэм я советым и унафэщIу щыщыта лъэхъэнэм мэкъумэш хозяйствэм псынщIэу зиужьащ. Абы иригушхуэу сытым дежи жиIэрт зы гектарым хуэзэу нартыхуу къытрахыр центнер 50 — 60-м зэрыщIрагъэгъуар, республикэм гъавэу къэралым иритыр тонн мин 300-м зэрыщхьэпрыкIар. Мэлбахъуэ Тимборэ, Къущхьэ КIыщыкъуэ, Кульбаев Мухьэжыр, абыхэм я лэжьэгъухэр укъуэдияуэ иужь итащ псы зыщIагъэлъадэ щIым хагъахъуэурэ зэпымыууэ гъавэшхуэ кърахьэлIэным. Абы и щапхъэу къэбгъэлъэгъуэну ирикъунщ 80 гъэхэм щыщIидзэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гектар мини 130-м, нэгъуэщIу жыпIэмэ, гектаритI къэс ещанэм псы щыщIагъэлъадэ зэрыхъуар. Абы щыгъуэ яухуауэ щытащ ерыскъы, мэкъумэшхэкIхэм щелэжь предприятэхэр. Пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI къехьэлIэнымкIэ республикэр Урысейм пашэ щыхъуащ. А зэманым къыдэкIуэтеящ Урысей псор зэрыгушхуэ хозяйствэ унафэщI хьэлэмэтхэу Тэрчокъуэ Къамболэт, Евтушенкэ Николай, Мусукаевэ Шамса, Атэбий Мухьэмэт, нэгъуэщI куэди. КIыщыкъуэ и гугъу пщIымэ, абы и IуэхущIафэхэм илъэс куэдкIэ щыгъуазэу сыщытащи, сэ жысIэфынущ ар фIэлIыкI зиIэ, пIэщIэкIа щыуагъэмкIэ узыщыукIытэн унафэщIу зэрыщытар. Ар иджы псэухэм, къэкIуэну щIэблэм я гум къинэнщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щхьэкIэ куэд зыщIа цIыхуфIу. Зумакулов Борис, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор. Ерыщу яужь итт Сэ юстицэм, судым, прокуратурэм я органхэм сыщылажьэрти, зэпымыууэ гу лъыстэрт Къущхьэ КIыщыкъуэ законхэм пщIэ зэрахуищIым, зи унафэщI Правительствэм ахэр щыгъэзэщIэныр ехьэкIыпIэ зимыIэу къызэрилъытэм. КIыщыкъуэ ерыщу иужь итт къащтэ унафэхэр пхыгъэкIыным, икIи, Iуэхур ипэкIэ ягъэкIуэтэну къилъытэмэ, ищIа унафэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэрт. Сыт хуэдэ щытыкIэ ихуами, абы зэпIэзэрыту зиIыгъыфырт, мыпIейтейуэ, егупсысауэ, сыт хуэдэ къэхъугъэми бгъэдыхьэрт, унафэ пыухыкIа трищIыхьырт. КIыщыкъуэ куэдым къащхьэщыкIырт и хьэл лъэщымкIэ, зэтету, цIыху пэжу зэрыщытымкIэ. Абы бгъэдэлът унафэщIым далъагъун хуей фIагъ псори. Ар Iуэхугъуэшхуэхэм я унэтIакIуэ, пхыгъэкIакIуэ къэмылэнджэжт. КIыщыкъуэ ди республикэм пщIэшхуэ щиIэт, абы и щIыбкIи и IуэхущIафэ хьэлэмэтхэмкIэ фIыуэ къыщацIыхурт, щIыхь къыщыхуащIырт. Къущхьэм гъащIэм щыпхиша гъуэгур республикэм и фейдэ зыхэлъ IуэхугъуэфIхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ, абы тхыдэм лъэужь дахэ къыхинащ. Куэтэншы ТIалэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и юрист.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27274.txt" }
Любэ и щэху закъуэр Интернетым «щыпсэухэм» ялъагъуну Iэмал яIащ Урысей Федерацэм и посольствэу Лондон дэтым и «Россотрудничество» къудамэм къызэригъэпэща усэ пшыхьыр. «Адыгэ щIэсми сщIэркъым, ауэ ди пщыхьэщхьэр си анэдэлъхубзэмкIэ къызэIусхыну сыхуейт, — щIэсхэм закъыхуегъазэ адыгэ фащэкIэ утыку къихьа бзылъхугъэм, занщIэуи къыпещэ, — къызыгурымыIуэхэми а бзэм и дахагъыр зыхащIэну Iэмал хъарзынэ яIэщ». Апхуэдэу цIыхухэм захуэзыгъэза Бэлагъы Любэ «Адыгэ псалъэм» ди хьэщIэщ. Гу лъыфтэ! Феджэ! Фыхэплъэ! Къандур Мухьэдинрэ Бэлагъы Любэрэ. — Ар илъэс 45-рэ сызэрырикъуам егъэщIылIа пщыхьэщхьэт. Илъэсым сызэрыпсэуар къэспщытэж щIыкIэу, гъэ къэс изогъэкIуэкI зы усэ пшыхь. Лондон щекIуэкIар хамэ къэрал щыпсэу тхакIуэхэм, усакIуэхэм, сурэтыщIхэм, композиторхэм защIэзыгъакъуэ «Россотрудничество» агентствэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ утыку къихьа Iуэхущ. Дэнэ къэрал сыщыIэми, хабзэ схуэхъуауэ, «Сэ щэхуу усэ сотхыр адыгэбзэкIэ…» усэмкIэ пщыхьэщхьэр къызэIузох. Иджы ар франджыбзэкIи, нэмыцэбзэкIи, хьэрыпыбзэкIи, нэгъуэщIхэмкIи зэрадзэкIащ. Тыркум къыщыдагъэкIыну усэ тхылъ ягъэхьэзыр. Сытми, лэжьыгъэр къэувыIэркъым. Мы илъэс пшыхьхэр сыкъыщалъхуа махуэр згъэлъэпIэн щхьэкIэ сщIыуэ аракъым, зэ IуплъэгъуэкIэ апхуэдэфэ ятетми. Мы илъэсым нэхъыбэ е нэхъ мащIэ схузэфIэкIа нэгъабэрей илъэсым нэхърэ, жысIэу сызэупщIыжу, сщIар къэспщытэжу аращ. А махуэр къызэрыкIуэнур щыпщIэм деж, абыи нэхъ укъызэщIекъузэ улэжьэну. Ауэ усакIуэ ущыхъукIэ, мы гъэм усэ нэхъыбэ стхынщ жыпIэ хъуркъым. Алыхьым сызэрелъэIуар: «Мы илъэсым си музэр сщIыгъэгъу, IуумыгъэкIыж» — зэхихри къыздэщIыгъуащ. АдэкIи Алыхьым жыхуиIар хъунщ. — ЦIыхур мыбдежым щыусакIуэу, мобдеж щыщIэныгъэ лэжьакIуэу е щыунэгуащэу гуэшауэ псэуркъым — гъащIэм щихь къалэнхэр зэхэту, зэдэIэпыкъужу къызэдокIуэкI. ИтIани, «Бэлагъы Любэ мыращ» щыжаIэм и деж, дэтхэнэ цIэр нэхъ зэбгъэкIурэ? — УсакIуэ. Усэ зымытх зыри щыIэу си фIэщ хъуркъым, псоми ятх щыщIалэм и деж. Лъагъуныгъэ зыхэзымыщIа зыри дунейм тету къыщIэкIынкъыми, япэу а гурыщIэр зыгъэунэхуам и гур мэусэ. Ауэ усакIуэр зэи япэ лъагъуныгъэм хэкIыркъым. Гъатхэри си япэ лъагъуныгъэщ, нобэрей махуэри, пщэдейрей махуэри си япэ лъагъуныгъэщ. Сытым щыгъуи щIэрыщIэу гурыщIэр зыхыбощIэ. А гурыщIэм, шэч хэмылъу, уи псэр егъэлажьэ. Псэр щылажьэм и деж, абы къилъхур усэщ. Псэр гугъу щехьа зэманхэри щыIащ, ауэ, сыкIуэцIрыплъмэ, а си гум къипсэлъыкIыр, зэхэсх макъхэр, къыздикIар сымыщIэ гупсысэ хьэзырхэр, пщIыхьэпIэу е нахуапIэу къысхуэкIуэ усэхэр илъэс пщыкIухым сыщитам зэрыщытам хуэдэ дыдэу иджыри къокIуэ. Аращи, сыцIыхубз насыпыншэ дыдэу жыпIэфынукъым (мэдыхьэшх). Ухэт жыпIащи, сы-усакIуэщ. Си гъащIэм нэщэнэ куэд хэтщ, ипэкIэ слъагъуу иужькIэ къызгурыIуэжауэ. Си усэхэм упхыджыкIыу щытми, къэхъуну-къэщIэнур зэрымыщIэкIэ къэзмыгъэлъагъуэу мащIэщ къыхэпхынур. Си щхьэм кърикIуам къищынэмыщIауэ, ди республикэми Кавказ Ищхъэрэми къыщыхъуахэр илъэс пщыкIух фIэкIа сымыхъуу стха усэхэм къыщыхэбджыкI къохъу, тесIуам хуэдэу. Абыхэм и щхьэ течауэ сытепсэлъыхьу щытакъым иджыри къэс. Иджыри гу щылъамытэ щыIэщ. Лъыфтэ! Феджэ! Фыхэплъэ! ЩIэныгъэншагъэм, гунэфагъым къыхэкIыу усэхэм хужамыIапхъэ щызэхыуагъэх щыIэщ. Усэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ, уи гур куууэ пхыплъу, щIэныгъэ убгъэдэлъу, зыхэпщIэу ущытын хуейщ. Усэр зытхам абы пкърилъхьа гупсысэм нэхърэ нэхъыбэ къеджэм къыщрихи щыIэщ, абы и псэр нэхъ куужу къыщIэкIыу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, усакIуэр зэпызыщIэ къару къудейщ, езым къыIэрыхьэр зыIэрыхьапхъэм деж нигъэсу. Езы усакIуэм дапхуэдэ зыхэщIэ иIэу щытми, абы итхар и кIэм нэс къыщыгумырыIуэж къохъу. Псалъэм папщIэ, илъэс пщыкIухым ситу згъэхьэзырауэ щыта тхылъ цIыкIум нобэ къызгурыIуэжа усэхэр итщ. МыусакIуэр тхэнукъым, напэ иIэмэ Къандур Алим — УсакIуэм дунейр зэрызыхищIэ щIыкIэр зи щIэщыгъуэр имыкI упщIэхэм ящыщщ. Цветаевэ Маринэ зэрыжиIамкIэ, усыгъэр къыщIигъэщIар цIыхум зыхищIэ, игъэунэхуа гурыщIэхэм ящыщу псалъэкIэ къэмыIуэтауэ зыри къэмынэн папщIэщ. Бещтокъуэ Хьэбас а упщIэм и жэуапыр къызэщIэубыдэгъуейщ жи, ауэ нэхъ гъунэгъуу сыбгъэдэкIуэтэнщ жыпIэмэ, усыгъэр диным и шыпхъу пэлъытэу къебж. Уэ уи еплъыкIэр сыт хуэдэ? — УсакIуэр и лъэпкъым и макъщ щыжыпIэм деж, ар удэпсэлъейуэ, мыдрей цIыхухэм захэпIэтыкI хуэдэу мэIу. Ауэ ар хэлъкъым абы. Цветаевэмрэ Бещтокъуэмрэ жаIахэр зэхэплъхьэмэ, тIуми я псалъэм си жэуапри ябгъуроувэ. Сэ стхыр, стхыну къызитыр си акъылым къищIыкIа гупсысэмрэ си акъылкIэ зэзгъэзэхуахэмрэ я закъуэкъым. Псэр зэIухауэ гъуэгуанэ тетщ. И бзэкIэ тхэ бзылъхугъэм и лъэпкъым къыжимыIэу къыздрихьэкI гупсысэр и псэм пхешри, дунейм къытрегъэхьэ. Ар Цветаевэм жыхуиIа псалъэм пэджэжу аращ. Гупсысэ къэнэн хуейкъым. Ситхьэлэу, къурмакъейм фIэлъу, си къалэмыр пэмылъэщу щыстхым деж, ар сыт зищIысыр, ар дауэ нэгъуэщI зыгуэрым зэрыгурызгъэIуэнур, сыт хуэдэ псалъэ къэзгъуэтынур? — ЗэрыжыпIэмкIэ, усакIуэр Iэмэпсымэщ, зи гурылъ къэзымыIуэтэф лъэпкъым и бзэщ, и псэщ? — Адыгэ лъэпкъым и псэм и Iущагъымрэ дахагъымрэ адыгэ усакIуэм и макъым къоIукI. Адыгэ усакIуэм и псэр зейр лъэпкъращ. Ар лIыкIуэу къагъэкIуащ, и лъэпкъым и псэр зэхихыу абы къиIукIыну. И зыхэщIэр, и гупсысэр, и тхыдэр. Гуащэнэ щхьэ сэ къысхуэкIуа? Абы сропагэ жысIэну сыхуейкъым, сронасыпыфIэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэ адрей дэтхэнэ зы усакIуэм нэхъри сынэхъыфIу зыкъэслъытэркъым. УсакIуэр усакIуэщ. УсакIуэ Iэзэ, усакIуэ дэгъуэ, усакIуэ Iущ, мопхуэдэ, мыпхуэдэ жаIэу газетым къыщытрадзэм и деж, ар щыуагъэу соплъ. «УсакIуэ» псалъэм псори хэлъщ. Абы эпитет хуейкъым. Къандур Къазбэч — Дауэ-тIэ усэфIымрэ усэ Iеймрэ зэрызэхэбгъэкIынур? — УсакIуэм и напэмкIэ. МыусакIуэр, напэ иIэмэ, тхэнукъым. — Аращ езыр тхэнур! «Нобэ дыгъэ къопс, ар сыту фIы!» — а сатырыр хъуауэ къысщохъу, псалъэм папщIэ. Сызэрыщыуэр къызгурызыгъэIуэнур сыт? — А уи упщIэ бзаджэм и жэуапу Ахматовэ Аннэ и зы интервью сигу къэкIыжащ. ЕтIуанэу инфаркт хъуауэ сымаджэщым щIэлъ пэтрэ къеIэзэ дохутырым: «Аннэ Андреевнэ, сэри усэ сотхри, кхъыIэ, си усэм къедаIуэ», — къыжреIэ. ЕдэIуащ. «Ара?» «Аращ. УсэфI, дауэ къыпщыхъурэ?» — жиIэу къыщыхигъэзыхьым: «Хъарзынэщ», — жриIэжащ. «Стхыр усэфIрэ мыусэфIрэ къызэрысщIэнур дауэ?» — къоупщI дохутырыр аргуэру. Ахматовэр къыпыгуфIыкIри: «Уи усэхэр уфIэфI езым?» — жиIэри къеупщIащ. «Ауэ сытми сфIэфI!» «Усэ пэжу къэплъытэрэ?» «Ауэ сытми къэслъытэрэ!» «Адрейхэм дауэ къазэрыщыхъур?» — жиIэу щыщIэупщIэм: «Абыхэм мыхьэнэншэу къалъытэ», — жи. «Ар къыпфIэIуэхун хуейкъым, — жиIащ Ахматовэм. — Мис, уэ сэ сыбогъэхъуж, укъызоIэзэ, ар пэж?» «Пэжщ, ар сэращ». «Уи усэхэри уэра?» Дохутырыр щым хъуащ абдежым. «Мис а упщIэм жэуап ептыфмэ, мыдрей цIыхухэм жаIэм мыхьэнэ иIэн хуейкъым», — иухащ Ахматовэм. Быдэу уи фIэщ щIы: усэр хъуарэ мыхъуарэ зытхым нэхърэ нэхъыфIу зыщIэ дунейм теткъым. Хэку жьыбгъэм и мэр — Усэ птхыныр, ар тхылъым ибгъэзэгъэныр зы Iуэхущ, ар цIыхум яхэпхьэфыныр нэгъуэщI зыгуэрщ. Зым тхылъым къриджыкIыныр нэхъ къищтэмэ, адрейм зэхихмэ, нэхъ зыхищIэнкIи хъунущ. Сыт хуэдэ щIыкIэу усакIуэмрэ абы итхам еджэмрэ зэпыщIа зэрыхъур? — Мис а зэпыщIэныгъэращ сэ сыкъезыхужьэр. Аращ Хэкум сыкъэзыхьыжыр. ЦIыху мэжэлIам ещхьу, мо кхъухьлъатэм сыкъызэриувыкIыу жьыбгъэм и мэр нэгъуэщIу къысщIехьэ, нэгъуэщIу зыхызощIэ. А сыздэщыIэ, къыщыскIухь щIыпIэхэм и мэр нэхъ Iейуэ аракъым. Ауэ кхъухьлъатэм и бжэм сыкъиувыкIыу, си Хэкум и щIым сыкъыщытеувэм и деж, си нэпситIыр къожэх. И хьэуа дыдэм и мэр нэгъуэщIщ си дежкIэ, IэфIщ. Си тхылъхэр псори къэзыгъэщIыр а зыхэщIэращ. Ар апхуэдизу си псэм хохьэри, мис ар здызохьыр. Мыр усакIуэ псалъэу жысIэ хуэдэу къыпщремыхъу, мыр пэж дыдэщ. Ар спкърытщ, абы сропсэу. Зэзэмызэ, сигу щыхэщIхэм и деж, билет къызощэхури сыкъолъэтэж. А гухэщIыгъуэр зыгъэхъуж хущхъуэр си Хэкум и хьэуаращ. Мис абдежым къыщожьэ зэпыщIэныгъэр. Абы къищынэмыщIауэ, телевиденэм, радиом, мис мы газетым сыкъызэрыкIуэр. Иджы, Алыхьым и шыкуркIэ, ИнтернетымкIэ зэпхыныгъэшхуэ щыIэщи, цIыхухэм уи усэ гукIэ дощIэ, уи мыпхуэдэ усэр, уи мопхуэдэ усэр жаIэурэ къысхутопсэлъыхьри, сропсэу абыхэм къысхалъхьэ къарумкIэ. Усэ пшыхьым. Лондон, 2013 гъэ Сэ сымытхэу сыпсэуфу щытамэ, сыпсэунут. Псалъэм папщIэ, Шемякиныр сурэт имыщIу псэуфынукъым. Лондон а «Россотрудничество»-м абы и гъэлъэгъуэныгъэ щыщыIэ тхьэмахуэм техуащ си усэ пщыхьэщхьэр, Шемякиным и сурэтхэр фIэлъу сыкъеджащ. Ар дапхуэдэ щхьэусыгъуэкIэ къызэрыбгъэлъэгъуэнур? Илъэс псом и кIуэцIым Шемякиным и Iуэхумрэ сысеймрэ щхьэ зэтехуа? Иджы а «мистицизм» жыхуаIэм, адыгэбзэкIэ къэгъуэт уэ а псалъэр иужькIэ, сытепсэлъыхьыну сыхуейщ. АкъылкIэ зедмыхьэ, къыдгурымыIуэ щэху, «подсознание» жыхуэтIэм ищIэнкIи хъунущ а хъыбарыр. ЩIэныгъэлI бэлыхьхэр щыIэщ, IуэрыIуатэ хъыбархэр къащыпу, бзэр къаIурыщэщу дахэу яIурылъу. Языхэзым къызжиIащ: «А уи «Сэтэней» поэмэр сэ игъащIэкIи къэсщтэнукъым, Сэтэней цIыху хуэдэу къалъхуу дунейм къытехьэу къыбогъэлъагъуэри». Сэтэней цIыху хуэдэу дунейм къызэрытехьэр къэпщтэн щхьэкIэ, щIэныгъэ убгъэдэлъын хуейщ. Сэтэней и образымрэ нарт тхыдэмрэ къыздикIар, абы лъабжьэ хуэхъур къэптIэщIын хуейщ. Сыт хуэдэбзэ хэплъыхьакIэ IуэрыIуатэр къыумыщыпыжауэ щытми, ар къыщежьэ тхыдэ щыIэщ. Ар езыхэми къагуроIуэ, мыбыкIи мобыкIи мыплъэу, а здэжэм фIэкI ямылъагъуу кIуэ щIэныгъэлIхэр, си щхьэкIэ, сфIэгуэныхьщ. УсакIуэм Сэтэней дунейм къытехьауэ щыжиIэм деж, ар къыздикIыр япэ щIыкIэ джы, къэлъыхъуэ, мыр мыбы щхьэ жиIэнкIэ хуей хъуа жыIи. Псом хуэмыдэу, ар зытха усакIуэм университет зытIущ къиухауэ, доктор лэжьыгъэ зытIущ къихьауэ, лекцэ, Тхьэм и шыкуркIэ, сыт хуэдэ университетми къыщитыфу щыщытым и деж. Ар къыщIыхуэкIуам зы мыхьэнэ гуэр иIэу къыщIэкIынщи, къащIэ, егупсыс. — УсакIуэ куум и усэр хэти къыгурыIуэн хуэдэу зэрыщымытыр щэхукъым. Ауэ абы итхар зыгуригъэIуэну хэт пэтрэ, лъэпкъым щыщ нэрыбгэ щхьэхуэр лъагагъкIэ е кууагъкIэ здиIэтыфыну усакIуэм? — ЗдиIэтынущ. УсакIуэр зищIысу нетIэ жысIам адэкIэ къыпысщэнщи, и макъ, и зыхэщIэм къищынэмыщIа, щIэныгъэ щхьэхуэ гуэр егъуэт тхылъеджэм. ЛъэныкъуитI мэхъу ар. Япэрауэ, и лъэпкъым къыбгъэдэкIыр усакIуэм и псэм кIуэцIрокI, етIуанэрауэ — езым лъэпкъым ирет. А иритыр дэнэ къыздикIыр? Мис ар упщIэщ. Лъэпкъым и зыхэщIэкIэр усакIуэм и псэм щиузэщIым, нэгъуэщI щытыкIэ щритым деж, нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэм я дежкIэ езыр къызыхэкIа лъэпкъым и макъщ а усакIуэр. Ауэ езым и лъэпкъым папщIэ усакIуэр шхыныгъуэщ. А усакIуэр зыхэщIэн, зыгурыгъэIуэн, джын хуейщ, ар къэбгъэсэбэпкIэрэ уи зэхэщIыкIым адэкIэ зебгъэIэту. Ди лъэпкъым и тхыдэр хьетхэм я деж къыщожьэ. Нарт эпосым илъэс минитI и ныбжьу къалъытэ. Иванов Всеволод 2005 гъэм щыхьэт къигъуэтащ хьетхэр зэрыпсалъэу щыта бзэмрэ нартыжьхэм я бзэмрэ зы къежьапIэ яIэу. Иджы а къомым укъриплъэу щытмэ, ярэби, къыбгурымыIуэну пIэрэ Сэтэней цIыхуитIым къалъхуауэ усакIуэм и тхыгъэм щIыхигъэувэнкIэ хъунур? Ар литературэ тхыгъэщ, усакIуэм и унафэщ абы щызекIуэр. Сэтэней къуэ иритын хуейщ лъэпкъым, Сосрыкъуэр. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, Сэтэней тхьэ бзылъхугъэу къалъытэ. А пэжитIым я зэхуакум къыдэщIыкIащ поэмэр. Зыми и жагъуэ сщIыну сыхуейкъым, ауэ сигу къоуэ я гур зэIухауэ литературэ тхыгъэм зэрыхэмыплъэр. «Сэтэнейм и тхыдэм теухуа а тхылъым усакIуэм «Дыгъэм и гъуэгу» щIыфIищар сыту пIэрэ?» — жиIэу зыри щIэупщIэркъым. Сыт хуэдэ теплъэ иIэ усэм? — УсакIуэм и гъащIэмрэ и усэмрэ сыт хуэдизкIэ зэпха? Уэ укъэзымыцIыхум уи усэр къищтэрэ къеджэмэ, птхар уэ узэрыхуейм хуэдэу нэгъэсауэ къыгурыIуэну? — УсакIуэм и псэм кIуэцIрыкIауэ образ къыщигъэувым деж, абы и хьэлым и мэ щоу. Сыт хуэдэ тхакIуэшхуи — Толстой Лев, КIыщокъуэ Алим, МэшбащIэ Исхьэкъ е Хемингуэй, Фицджеральд, Шекспир сымэ къапщтэмэ, ятхахэм езыхэм я цIыху щIыкIэм щыщ гуэр, шэч хэмылъу, пкърохьэ. Тхыгъэм поэмэ, роман хуэдэу зыщиукъуэдийм деж, а жысIэр нэхъ пэжыж мэхъу. Романыр дунейщ, планетэ щхьэхуэщ, поэмэри планетэ щхьэхуэщ, лIыхъужьхэр абы щопсэу, ар гъащIэщ. А гъащIэм езы усакIуэр е тхакIуэр хэмытмэ, а дунейр убзыхуа хъунукъым. Мис абы къыхэкIкIэ, тхылъеджэм и губзыгъагъ елъытакIэ, дауи, тхакIуэм и гур абы щызыхищIэнущ. Iэмал имыIэу мыр къэзгъуэтынщ жыпIэу яужь уихьэмэ, абы щыгъуэми уи лъакъуэр пкъутэжынкIи хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхур куэду зэхэIуэнтIауэ щытщ, ар езыр планетэ, роман, дуней псо мэхъу. А зы цIыхум и кIуэцIкIэ цIыху дапхуэдиз щыпсэужыр, гъащIэ дапхуэдиз щызекIуэр, и акъылым гъащIэ дапщэ щызэблихыр? — Иджыпсту ди усыгъэм нэрымылъагъуу зэдауэ гъэщIэгъуэн щокIуэкI усэм и теплъэм теухуауэ. Зы гупым совет зэманым и силлабо-тоническэ тхэкIэр (пычыгъуэхэмрэ хэIэтыкIыгъуэхэмрэ щызэгъэзэхуар) адыгэбзэм езэгъынкIэ Iэмал иIэкъым жаIэ. Мыдрейхэм пычыгъуэхэр зэхуэдизми, кIэух зэпэджэжым сатырыр ехулIэныр псалъэр къулейсыз зыщI Iэмалу къалъытэ. «Рифмэ хуейкъым жызыIэхэм щхьэр ягъэуз» жызыIэхэри щыIэщ. Нэхъыбэжым адыгэбзэм щынэхъ къарууфIэ макъ дэкIуашэхэр зэлъэIэсмэ, уэрэдыжьхэм ещхьу, нэхъ яфIэдахэщ. Уэ дауэ уеплърэ? — Сэ школым сымыкIуэ щIыкIэ усэ стхыуэ езгъэжьащ. Усэ стхыуэ сщIэрэт? Усэм и кIуэкIэм, «ритм» жыхуэтIэм сытеуIуэурэ седаIуэрт. Сэ музыкант унагъуэ сыкъыхэкIа? Хьэуэ. Сыкъуажэ хъыджэбз цIыкIут. Уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу, си къуэхэр классическэ музыкэм щIапIыкIа сабийхэщ, ауэ сэ Балъкъыпсымрэ Къармэхьэблэ жьыбгъэмрэ я макъамэращ сыкъызыхэхъукIар. Гупсысэ цIыкIу къысхуэкIуэхэр: «щынэ натIэ гъуджэ цIыкIу», «джэду цIыкIу» хуэдэхэр зэхэслъхьэрти, а гупсысэ къысхуэкIуам езым и ритм зэриIэжыр сфIэгъэщIэгъуэнт. Усэр, и теплъэр имыIэу, къакIуэркъым. Иджы нобэ силлабо-тоническэ хьэмэрэ тоническэ, ямб е хорей зэрыттхынур жыпIэу укъыщытIысым и дежи, абы теухуауэ узэдэуэнри дыхьэшхэнщ. А зэдауэм дихьэхыр усэ «зэхэзылъхьэхэращ». Си усэхэм ямби, хореи, силлабо-тоники, «усэ хужьи» къыщыбгъуэтыфынущ. Ар сэ къэзгупсыса, акъылкIэ зэзгъэпэща гуэркъым, зэрызэхэсхам хуэдэу, си тхьэкIумэм зэритам хуэдэу стхащ. Иджы хъыджэбзышхуэ сыхъуащи сытеуэжыркъым (мэдыхьэшх), ауэ зэхэсхыр сотхыф. Усэр фIырэ мыфIрэ дауэ къызэрыпщIэнур? Усэм къеджи, зы дакъикъэ нэхъ мыхъуми сыщымарэт жыуигъэIэмэ, абы щыгъуэ усэр фIыуэ къыщIэкIынщ. Акъылым иIэщ хьэл гупсысэу, даIуэу, зэхихыфу. ТхьэкIумэракъым зэхэзыхыр, псэращ. Зэхэпхар къыппкърыхьэрэ уи кIуэцIым зыгуэр къыщигъэхъумэ, а усакIуэм и етIуанэ усэри, ещанэри къащти еджэ. Зыри къимыгъэхъуауэ щытмэ, уемыджэ. «Си яужь дыдэ лъагъуныгъэ» — «Сызыгъэсар Балъкъ и макъамэращ» жыпIа щхьэкIэ, уи щIалэхэми а жьым щыщ къащIимыхуауэ пхужыIэну къыщIэкIынкъым. — СхужыIэнукъым, Тхьэр арэзы къыпхухъу (мэдыхьэшх). — ЩIалэ цIыкIухэм, псом хуэмыдэу, нэхъыжьым, я ехъулIэныгъэхэм жыжьэу доплъ, дрогушхуэ — дыдейхэщ, ауэ нэхъ гъунэгъуу тцIыхунуи ди гуапэт. — Алим Лондон и консерваторие нэхъыщхьэ дыдэм, «Royal College of Music» жыхуаIэм, мы илъэсым щIэтIысхьащ. Тхьэмахуэ кIуам «Элизабет холл» гъэлъэгъуапIэм пащтыхь унагъуэр щIэсу концерт ятащ езыр щеджэ школым я симфоническэ оркестрым. Алим концертмейстеру яхэтащ, скрипкэ пажэу сыхьэтитIкIэ концертыр зэрихьащ. Иужьрейуэ нэхъ дызыщыгуфIыкIхэм ящыщщ Инджылызым къыбгъэдэкIыу Японием и Хиросимэ къалэм мэлыжьыхьым и 28-м ягъэкIуэну къызэрыхахар. Джонсон Борис, Лондон и Iэтащхьэм, мамырыгъэм къыхуезыджэ тхыгъэ къритынурэ, ар лIыкIуэхэм я гъусэу Хиросимэ и унафэщIым Iэригъэхьэну пщэрылъ къыщащIынущ. НэхъыщIэ Къазбэч «Харроу» жыхуаIэ етIуанэ школым щIэтIысхьащ. Уинстон Черчилль, Иорданием я пащтыхь Хъусейн, Индием я Ганди — цIыхушхуэ куэд щеджауэ апхуэдэ школ цIэрыIуэщ ар. — УсакIуэ IэзагъкIэ уеджэми, гъащIэр къызэхъулIа бзылъхугъэ жыпIэми, нэхъ укъыхэзыгъэщ хьэлхэм ящыщщ уи хъуреягъкIэ епщIэкIа насыпыр зэрыпхъумэжыфыр. УсакIуэм япэ лъагъуныгъэм деж тхэн къыщыщIедзэ жыбоIэ, ауэ «Си яужь дыдэ лъагъуныгъэ» усэр уэрэд дахащэу кърахьэкI… — ЦIыхур цIыху зыщIыр и гур фIыуэ илъагъуну зэригъэсэфращ. ФIыуэ щыплъагъум деж, лъагъуныгъэр уи гум илъмэ, уи псэм хэлъмэ, абы и жэуапым къимыгъэзэнкIэ зы Iэмал щыIэкъым. Уи сабийм, фIыуэ плъагъу цIыхухъум, уи адэ-анэм, уи ныбжьэгъум а лъагъуныгъэр ет, къыпхуащIэжынум упэмыплъэу. Уэ езым зыхэпщIэ лъагъуныгъэм пэжу бгъэдэт. Сэ си «щэхур» аращ — си лъагъуныгъэрщ. Си щхьэгъусэ Къандур Мухьэдин Тыркум къилъэтыкIри нэлъэтащ си усыгъэ пщыхьэщхьэм. Абы теухуа усэ сыкъоджэ щыжысIэм, укIытащ. Ауэ сэ абы сигъэукIытэркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхур цIыху зыщIыр лъагъуныгъэращ. «Усэ нэхъыфIыр иджыри пхуэстхакъым, си псэ» — аращ нобэр къыздэсым сыкъызыхуеджэр. Лъагъуныгъэ зыкIуэцIымылъыр тхьэмыщкIэщ. Усэ къостынщ къытебдзэну, лъагъуныгъэ зыпкърымыт Iэпкълъэпкъыр, ар зыхэзымыщIэ цIыхур зищIысым теухуауэ. БзаджагъкIэ, дыджагъкIэ, гуащIагъкIэ зыри къэпхьынукъым. Лъагъуныгъэм къимыхьыр нэгъуэщI зыми къихьынукъым… Гугъущ мыпхуэдэ псалъэхэр езышэжьа цIыхур зэпыбудыну. Аращи, зэкIэ зыщIыпIи къытемыхуауэ Любэ тыгъэ къытхуищIа усэмкIэ ди хьэщIэщыбжэр зэхудощIыж. Бегъымбар хужь 1 Лъагъуныгъэ зэрымылъ Iэпкълъэпкъыр нэщIщ… Лъагъуныгъэр — ар Псэщ, маджэ… Езым хуэдэ къелъыхъуэ! НэпцIщ Мы дунейр, угъу(ы)сэншэ наджэм. Езым хуэдэ здэщыIэр пшэрщ! Уафэ щIыхур щыздызэгуэкIырщ. КъысхуэзыщIхэм иджыри пщIэ, Сэ я пащхьэм мы си гур къыщочэ. Йощэщэхри, абыхэм къащып, ЗэщIаблэжыр аргуэру щIэрыщIэу, КърахьэкIыр ящIауэ нып. Мис апхуэдэурэ сыкъагъэщIыжу! 2 Си псэр изотри дунейм, Ар пIащIащэу зэIытхъыгъуафIэщ. Ауэ аращ Къэбэрдейм КъигъэщIыфыр иджы усакIуэу! Сэ ныжэбэ уэращ сызейр, СыппэIэщIэуэ си Хэку закъуэ, Си Бегъымбарыр хейщ, КъыздэщIыгъущ емызэш-пагэу. Си Бегъымбарыр хужьщ, Си Псэр иузэщI защIэу. Си илъэсхэм къызатми ныбжь, Си гур ныбжьыншэ гуакIуэщ! Си уэрэдри уэ къурегугъу! Си гъуэгуанэри щIатхар усакIуэт! Си гур зейми къысхурегъэгъу Нэпс зытIущыр… Зы ягъи кIакъым! Сэ си гъащIэр къызэхъулIащ, Си уэрэдыр ешэщIри жыжьэу, Ар зыгуэркIэ ныплъэIэсам, Къыпэджэжи — зыкъэзгъащIэ. Ауэ, пщIэрэ, мы си гур зейм — Сэ мэскъалкIэ сыщимыгъауэ! Дыщэ щхьэц фIыцIэр хейщ, Дыщэ хужьу иджы зилами! Епсэлъар ЧЭРИМ Марианнэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27280.txt" }
Бзэм драгъэхьэх КъБКъУ-м хамэ къэралыбзэхэмкIэ и кафедрэм илъэс къэс, хабзэ зэрыхъуам тету, инджылызыбзэмкIэ олимпиадэ зэIуха ирегъэкIуэкI. Къыхэгъэщыпхъэщ мыбы хэтыну гукъыдэж зиIэ студентхэм я бжыгъэм илъэс къэс къызэрыхэхъуэр. Къапщтэмэ, мы зи чэзу зэхьэзэхуэхэм университетымрэ мыбы и жьауэм щIэту лажьэ колледжхэмрэ щеджэу цIыху 200-м я зэфIэкI ягъэлъэгъуэну утыку щихьащ. Кафедрэм и егъэджакIуэхэм къыхагъэщащ къыдэкIуэтей щIэблэр хамэ къэралыбзэхэм нэхъри дегъэхьэхынымкIэ мы Iуэхум мыхьэнэ ин зэриIэр. Олимпиадэм и япэ Iыхьэр лексикэмрэ грамматикэмрэ, етIуанэр зэпсэлъэныгъэ дерсхэм тегъэщIауэ екIуэкIащ. ЗэрыжаIэщи, бзэ зыбжанэ зэбгъэщIэныр зэхэщIыкI куум и къежьапIэщ. ЕгъэджакIуэхэр щымыгуфIыкIыу къэнакъым я анэдэлъхубзэхэм къадэкIуэу, инджылызыбзэм хуиту ирипсалъэ куэд щIалэгъуалэм зэрахэтым. Мэлыжьыхьым и кIэм Олимпиадэм щытекIуахэр белджылы къэхъунущ икIи абыхэм щытхъу тхылъхэмкIэ я цIэ къраIуэнущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27286.txt" }
Гуапагъэм и къежьапIэ Унагъуэм щаджын хуей тхылъхэм я библиотекэу Налшык дэтым щIэджыкIакIуэхэм я конференц щекIуэкIащ. Зыуэ щыт тхылъ хъумапIэ системэм и Налшык къалэ къудамэм и лэжьакIуэхэмрэ сабий тхакIуэхэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща мы зэIущIэм щызэпкърахащ зи ныбжьыр илъэс 17 фIэкIа мыхъуа Самарский Михаил и IэдакъэщIэкIхэр. «Мыр ди зэманым и налкъуту жыпIэ хъунущ», — къыхигъэщащ конференцым кърагъэблэгъа сабий тхакIуэ Къэзан ФатIимэ. Самарскэм «IуащхьитIым яку дэт хъыринэ», «Ныбжьэгъум папщIэ лэгъупыкъу», «Гуапагъэм и къежьапIэ» зыфIища и IэдакъэщIэкIхэм гулъытэмрэ гущIэгъумрэ лъабжьэ зэрахуэхъуам тхылъхэм я мыхьэнэр нэхъри еIэт. Гъэсэныгъэ дерсхэмкIэ гъэнщIа, фIым укъыхуезыджэ сабий, ныбжьыщIэ литературэр утыку ихьэныр, тхылъ еджэным дихьэх унагъуэхэр абыхэм хэгъэгъуэзэныр къалэн зэщызыщIа лэжьакIуэхэм мыпхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкIыну я мурадщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27291.txt" }
Чэнджэщ хуэныкъуэхэр Гундэлэн дэт курыт еджапIэ №3, №4-хэм щрагъэкIуэкIащ IэщIагъэ къыхэхыным теухуа дерс зэIухахэр. Ар хуэунэтIат къыдэкIуэтей щIэблэр гъащIэ гъуэгу тэмэм тегъэувэным. ЕджакIуэхэм псалъэмакъ щхьэпэ драгъэкIуэкIащ цIыхухэр лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и центрым и IэщIагъэлIхэм. Абыхэм ныбжьыщIэхэм гурагъэIуащ зи ныбжь иримыкъуахэм папщIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэмрэ цIыхум гунэс щыхъуну IэщIагъэр къызэрыхих щIыкIэхэмрэ. Апхуэдэу школакIуэхэр хагъэгъуэзащ иджырей Iуэху зэхущытыкIэхэм. ЗэIущIэм ипкъ иткIэ, ныбжьыщIэхэм гъэунэхуэныгъэ дерсхэр драгъэкIуэкIащ, ягъэлъэгъуа зэфIэкIхэм пэхъун чэнджэщхэри иратащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27293.txt" }
ЦIыкIухэм папщIэ Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №4-м зи школ кIуэгъуэ нэмысахэм папщIэ хэт къудамэм лэжьэн щIидзэжащ. Абы щызэфIагъэкIащ сом мелуани 6-рэ мин 200-рэ и уасэ ремонт лэжьыгъэ. Къэрал бюджетым къыхэкIа ахъшэмкIэ унащхьэр щIэуэ зэрахъуэкIащ, унэ щIыбыр екIуу зэрахьащ, зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ къащэхуащ. КъищынэмыщIауэ, зыхуей хуагъэзащ сабийхэр щаIыгъ пэшхэр, шхапIэр. Псы щIыIэмрэ хуабэмрэ зрикIуэ бжьамийхэри яхъуэжащ. Ремонтым щIадзэн и пэ зы гуп фIэкIа мыбы къекIуалIэу щымытамэ, иджы 3 яIэщ. Абыхэм сабий 65-рэ къызэщIаубыдэ. Илъэс дызыхуэкIуэм иджыри зы гуп къащтэну я муращ. ШЭРЭДЖ Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27295.txt" }
Ислъамым и нур Фэеплъ ЖэнэткIэ Тхьэм игъэгуфIэ Мы дунейр хьэхущ. Пэжыр, кIэ зимыIэр псори дыздэкIуэжынуращ. Ар хьэкъыу спхыкIа пэтми, апхуэдизу щхьэ си гум и жагъуэ си ныбжьэгъу, дин лэжьакIуэ цIэрыIуэ Хъуажь Мухьэмэд-Хъер къызэрытхэмытыжыр? Зы лъэныкъуэкIэ, Мухьэмэд-Хъер и насыпщ. Куэдым яхузэфIэмыкI абы къехъулIащ. Совет зэманым, хамэ щIыпIэ щыпсэу ди къуэшхэм къагъэзэжыныр щафIэмыфIыщэм, ар и бынунагъуэр игъусэу адэжь Хэкум къэкIуэжащ икIи Адыгейр псэупIэ ищIащ. КъурIэн лъапIэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIахэу Нало Заур (щысщ), Болий Мустэфар, Хъуажь Мухьэмэд-Хъер. Лъэпкъ IуэхукIэ Кэнжэ къэкIуауэ, Мухьэмэд-Хъер ди щIыпIэм хуабжьу ехъуэпсащ. Езым зэрыжиIэжащи: «Къуажэм сыкъызэрыдыхьэу згъэщIэгъуащ — Иорданием сыщыIэу Хэкум сыщепщIыхькIэ си пщIыхьэпIэм хэту слъэгъуар абы и теплъэрт. Абдежым си гум быдэу ислъхьащ Кэнжэ сыкъэIэпхъуэну». Унагъуэр здыщIигъури, мыгувэу апхуэдэуи ищIащ. Куэд дэмыкIыу кэнжэдэсхэм ар фIыкIэ къацIыхуащ. Ахэр дихьэхат абы и цIыхугъэм, хабзэ зэрыхэлъым, Iиман зэриIэм. Ислъам диным фIыуэ зэрыхищIыкIыр, муслъымэныгъэ ин зэрыхэлъыр къалъытэри, къуажэ мэжджытым и Iимам къалэныр Хъуажьым пщэрылъ щащIащ. Абы щыгъуэм Кэнжэм и мэжджытыр цIыкIут — совет лъэхъэнэм Iэмэпсымэ щIэлъхьэпIэ фIащу, мылъку зэхэдзэкIэ ящIауэ, дин IуэхухэмкIэ къагъэсэбэпу арат. Къэралыр щызэхэщэщэжым, къуажэдэсхэм мэжджыт ящIыну кърагъэжьат, арщхьэкIэ и лъабжьэр ягъэуври, блыным и ныкъуэр зэтралъхьауэ, адэкIэ Iуэхур зэфIэзыгъэкIын щымыIэу, пэмылъэщыжу щытт. Мухьэмэд-Хъер къуажэдэс нэхъыжьхэм ечэнджэщри, ухуэныгъэр и кIэм нэгъэсыныр пщэрылъ зыщищIыжащ икIи и къару емыблэжу зэман кIэщым ар зыхуей хуигъэзащ. Улахуэ къримыIыхыу илъэс пщыкIуийкIэ Хъуажь Мухьэмэд-Хъер псэ хьэлэлу къуажэм яхуэлэжьащ. Муслъымэным и къалэнхэри зэпимыгъэууэ игъэзэщIащ, зыбжанэри хьэж ищIащ. Алыхьым и унафэм тету, цIыхухэми сэбэп яхуэхъуу псэухукIэ къекIуэкIащ. И гъунэгъукIи, IыхьлыкIи, унагъуэкIи, ныбжьэгъукIи хьэкъ къыте- науэ пхужыIэнукъым. АтIэ хъуэпсэгъуэкъэ абы къигъэщIар?! Алыхьыр жэнэткIэ къыхуигъэупсэ! ЛIам щхьэкIэ е фIы, е зыри жамыIэу хабзэщ. Мухьэмэд-Хъер хужыпIэфынур псалъэ гуапэ защIэщ. Сэ гъащIэфI дыдэ къэзгъэщIащ, зыкъоми слъэгъуащ. АрщхьэкIэ абы хуэдэ цIыху пэж, псэ хьэлэл сыIущIакъым. А гупсысэм и щыхьэту щапхъэ куэд къыпхуэхьынущ, ауэ псом ящхьэу къэслъытэр ар ди къэкIуэнум, щIэблэм и нэIэ тету зэрыщытарщ. Ягу иримыхьын щажриIэ къэхъуми, муслъымэн щIалэхэм сыт щыгъуи къащхьэщыжу, фIыкIэ ящыгугъыу, игъэIущу и гъащIэр ихьащ. Ди лъэпкъым, бзэм, хабзэм щхьэкIэ имыщIэн щыIэтэкъым Мухьэмэд-Хъер. «Адыгэр дыкъэзыIэтыжын щIалэгъуалэ дгъэсэну къытпэщылъщ, — жиIэрт абы. — Анэдэлъхубзэр тхъумэн хуейщ, ар тIурымылъыжмэ, дылъэпкъыжкъым. Хабзэ дахэу адэжьхэм къытхуагъэнахэр дывгъэхъумэ, тIэщIэхуар къэдвгъэщтэж. Адыгэ хабзэмрэ муслъымэн динымрэ зыкIи зэпэщIэувэркъым икIи ахэр къызэдогъуэгурыкIуэ. Уеблэмэ си фIэщ мэхъу ди хабзэ дахэм и купщIэр фIэщхъуныгъэм къызэрыхэкIар». ЩыIэщ псэууэ, ауэ лIам хуэбгъадэ хъун цIыху. ИкIи щыIэщ дуней пэжым кIуэжауэ, псэкIэ ноби къытхэтхэр. Мухьэмэд-Хъер мы дунейм къытенащ и IуэхущIафэ дахэхэмкIэ, и тхыгъэ купщIафэхэмкIэ, зэфIигъэува мэжджыт екIумкIэ, и къуэшым хуэдэу илъэгъуа и ныбжьэгъухэмкIэ. Ар псэунущ адыгэхэм я бзэр яIурылъыхукIэ, фIэщхъуныгъэр зэрыт ФIыцIагъэ лъапIэм я бзэмкIэ къеджэхункIэ. Алыхьым а зэманыр мыухыж ищI, Мухьэмэд-Хъери жэнэткIэ Тхьэм игъэгуфIэ! Болий Мустэфар. Ущие Мылъкумрэ бынымрэ зыдевгъэхьэхыу, Алыхьыр зыщывмыгъэгъупщэ Дунеягъэри ахърэтри къэзыгъэщIауэ, псори дызыхуэныкъуэу, зыми хуэмыныкъуэж Алыхьым ейщ уафэми щIылъэми мылъкуу тетыр. Абы цIыхуу къигъэщIа псоми насып зырызыххэ къадбгъэдилъхьащ, хэти бынкIэ, хэти мылъкукIэ, хэти нэгъуэщI зыгуэркIэ. Ауэ а насыпхэм щхьэуназэ уищIрэ Алыхьыр пщигъэгъупщэмэ, ахэр псори уэркIэ бий мэхъу. Къытщхьэщытым жиIащ: «Алыхьырщ зейр уафэхэми щIылъэми мылъкуу тетыр. Езым зыхуейр къегъэщI: зыхуейм бзылъхугъэ ирет, зыхуейм хъулъхугъэ ирет. Е хъулъхугъэри бзылъхугъэри зэгъусэу ирет, ауэ зыхуейри мылъхуэ ещI. Езырщ псори зыщIэр, псори зылъэкIыр» («Шурэ» аят). Алыхьым дунейр къигъэщIа нэужь, ар зэригъэщIэрэщIэн насып куэди къыкIэлъигъэкIуащ. Ахэри тIууэ зэщхьэщедз. Япэр, къигъэщIа псоми яйщ. Псалъэм папщIэ — дыгъэр, мазэр, вагъуэхэр, хьэуар, псыр, н.къ. ЕтIуанэр, щхьэхуэу дэтхэнэми хуигъэфэща насыпырщ — быныр, мылъкур, къулыкъур… Алыхьым жиIащ: «Мылъкумрэ бынымрэ дунейр ягъэщIэращIэ» («Кааф» Iэят). Бынымрэ мылъкумрэ Алыхьым зрита и пщылIхэр а яритамкIэ я Iиманыр егъэунэху. Псалъэм папщIэ, быным узыфэ Iей е гузэвэгъуэ гуэр къылъыса нэужь, адэ-анэ куэдыр Iиманыншэ мэхъухэри, Алыхьыр зэрыщыIэр ящогъупщэж. Хэти дэIэпыкъуэгъу къилъыхъуэу Iэзэхэм я деж макIуэ, хэти нэгъуэщI зыщымыгугъыпхъэхэм щогугъ. Псори къэзыгъэщIа Тхьэм къыпхуимыщIэр хэт хузэфIэкIын? Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщокIуэ: «Уа, Iиман къэзыхьахэ! Фи бынымрэ фи мылъкумрэ зыдевгъэхьэхыу Алыхьыр зыщывмыгъэгъупщэ. Апхуэдэу зыщIэхэращ унэхъуар» («Аль-Мунафикъун» Iэят). «Уа, Iиман къэзыхьахэ! Фи бынымрэ фи мылъкумрэ фэркIэ гъэунэхупIэ къудейщ» («Аль-Тэгъабуун» Iэят). Абы къикIыр зыщ: сыт хуэдизу быныр гуащIэми, мылъкур IэфIми, ахэр къозытам япэ зыри ибгъэщ зэрымыхъунуращ. Тхьэм мылъку зыхуигъэфащэм фIыщIэ ищIрэ псапэ хищIыкIмэ, и Iуэхум фIы кърикIуэнущ. КъурIэным къыщокIуэ: «Алыхьым щIыхуэ ептмэ, пхуигъэбэгъуэнщ». Абы къокI: уи мылъкум фIы хэпщIыкIмэ, Алыхьым а бгъэкIуэдар щIыхуэу ептауэ ебжри, ахърэтым псапэу къущитыжынущ, дунеягъэкIи и сэбэпышхуэ къыщокIыжынущ. Мухьэммэд бегъымбарым жиIащ: «Жыхьэнмэ мафIэм зыщыфхъумэ, зи мыхъуми зы хъурмэ ныкъуэкIэ». Фегупсысыт, бынри мылъкури Тхьэм къыдимытамэ, дэ дгъуэтынут? Быныр анэмэту къытхуигъэкIуащ. Ар зыхуей хуэдгъэзэну, Тхьэм и гъуэгу захуэм хуэдущиину ди къалэнщ. Мылъкури къыдитащ икIи абы псапэ хэтщIыкIмэ, ди щхьэ ифI зэрызетхуэри къыдгуригъэIуащ. Алыхьыр дэ тщIэ фIым хуэныкъуэкъым, хуэныкъуэр ди пщэдейращ. Жылокъуэ Люсаннэ. Къэзыгъэзэжахэр Тобэ къехьыж Нидерландхэм щыщ Дорн ван Арнауд Мухьэммэд бегъымбарым теухуауэ триха «ФитIнэ» фильмым нэгъабэ муслъымэнхэр хуабжьу игъэгубжьауэ щытащ. Уеблэмэ зэрыхьзэрий инхэр абы къишат. Иджы Iуэхум зэрыщымыгугъауэ зихъуэжащ. Дорн ван Арнауд «Okaz», «Saudi Gazette» хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ярита интервьюм щыжиIащ апхуэдиз псалъэмакъ мыщхьэпэ къызэрыкIа «ФитIнэ» фильмыр зэрытрихамкIэ хуабжьу зэрыщIегъуэжар икIи абы и ужькIэ куэдым егупсысыжу ислъам диныр иджыблагъэ къызэрищтар. Дуней гъащIэм щыщу къыхуэнэжар Дорн тригъэкIуэдэну хьэзырщ муслъымэныгъэр цIыхухэм япхыгъэкIыным. Абы папщIэ Мухьэммэд бегъымбарымрэ ислъам динымрэ ятеухуа фильмыщIэ тригъэхыну и мурадщ, ахэр зэригъэпудар абыкIэ игъэзэкъуэжын папщIэ. — Сэ си къаруи зэфIэкIи сыщысхьыжынукъым муслъымэнхэм я хуитыныгъэр Европэм и къэралыгъуэхэм щыпхызгъэкIынымкIэ, — жиIащ абы. — СлъэкI къэзгъэнэнукъым ислъам динымрэ Мухьэммэд бегъымбарымрэ си япэрей фильмым ярита хэщIыныгъэхэр цIыхухэм ящызгъэгъупщэжын щхьэкIэ. Дорн ван Арнауд Нидерландхэм щыIэ политикэ парт нэхъ хъыжьэ дыдэм и пашэхэм ящыщ зыуэ къекIуэкIащ. Аращ «ФитIнэ» фильмым щыпхигъэкIа гупысэхэри къызыхихар. АрщхьэкIэ и IэдакъэщIэкIым апхуэдиз псалъэмакъ мыщхьэпэ къыщикIым ислъам диным и къежьапIэмрэ и щытыкIэмрэ куууэ иджащ. «ИтIанэщ къыщызгуры-Iуар муслъымэныгъэм теухуауэ щыуагъэшхуэ зэрысIэ-щIэкIар икIи Iэмал имыIэу тобэ къэсхьыжын зэрыхуейр». Иджыблагъэ Дорн Сауд Хьэрыпым кIуащ икIи Мухьэммэд бегъымбарым и кхъащхьэм и деж тхьэ щиIуащ Алыхьым и цIэкIэ абы муслъымэнхэр къызыхуриджа фIыгъуэхэр адрей лъэпкъхэми къэралыгъуэхэми щыпхигъэкIынымкIэ и къару псори ирихьэлIэну.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27298.txt" }
Набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыну къыхураджэ Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ къуажэхэм иджыблагъэ щекIуэкIащ абыхэм щызэхэт жылагъуэ советхэм я зэхуэс. Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым щытепсэлъыхьа зэIущIэхэм къуажэдэс нэхъыжьхэр жыджэру щыхэплъащ щIалэгъуалэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщын Iуэхум. Iуащхьэмахуэ район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Афашоковэ Раисэ Лашкута къыщыхилъхьащ щIэныгъэ курыт, нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта щIалэгъуалэм ядэлэжьэным нэхъ жыджэру иужь ихьэн зэрыхуейр. ШколакIуэ ныбжьым итхэм я гугъу пщIымэ, къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, ахэр школ нэужьым гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэм макIуэ, спортым зыхуагъасэ, псэкупсэ гъэсэныгъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкI. Афашоковэм къуажэдэсхэм и гугъу яхуищIащ хьэрычэтыщIэ Iуэхум зезытахэмрэ мэкъумэш хозяйствэм елэжьхэмрэ къэралыр зэрадэIэпыкъу федеральнэ программэхэр республикэми, районми зэрыщылажьэм, абы щIалэгъуалэр Iуэхум тригъэгушхуэн зэрыхуейм. Лашкута къуажэ администрацэм и унафэщI Малкаров Елдар къызэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ жылэм и Iуэху зыIутым. — КъБР-м и Правительствэм къалэн къызэрытщищIам тету, щыщIэныгъэ зиIэ Iуэхугъуэ куэд зыдогъэзэхуэж, абыхэм ящыщщ кхъэм узэрыбгъэдыхьэ гъуэгур зэрызэдгъэпэщыжар. Ди мурадщ къуажэм дэтыр спорт пэш тщIыуэ, ЩэнхабзэмкIэ унэщIэ духуэну, — жиIащ къэпсалъэм. Бедыкъ щекIуэкIа зэхуэсым щIыпIэ курыт школым и унафэщI Борчаев Рафаэль къыщыхигъэщащ еджакIуэхэм псэкупсэ гъэсэныгъэ яхэлъхьэным гулъытэ хэха зэрыхуащIыр. Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, мы къуажэм зэи къыщыхъуакъым экстремизмэм, терроризмэм ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэр. Iуащхьэмахуэ куейм и прокурор Шыбзыхъуэ Заурбэч адэ-анэхэр къыхуриджащ я сабийхэр дэзыхьэх, я зэманыр зытрагъэкIуадэ Iуэхухэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыну. ЗэIущIэм хэтахэм къаIэтащ социально-экономикэ, узыншагъэ, мэкъумэш хозяйствэ, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми ехьэлIа Iуэхухэр. Тарим Алисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27302.txt" }
ХьэтIохъущыкъуей хадэм сакурэ къыщокI КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэмрэ «Налшык щыIэ зыгъэпсэхупIэмрэ паркхэмрэ я зэгухьэныгъэр» АУ-мрэ къыдаIыгъри, «Гу къабзэхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ ХьэтIохъущыкъуей хадэм сакурэ жыг лIэужьыгъуэхэр щагъэтIысащ. Министерствэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэм щыщхэр, паркым и лэжьакIуэхэр, школ №24-м щеджэ цIыкIухэм жыгыщIэ 25-рэ егугъуу хасащ. Мы Iуэхум щыгуфIыкIыу, гурыфIыгъуэшхуэ къызыхуихьахэм ящыщщ школакIуэхэр. Уеблэмэ, абыхэм яхэтт япон фащэкIэ (киманокIэ) хуэпахэри. ДяпэкIэ а щIыпIэм блэкIыху ахэр иригушхуэу я благъэхэм, ныбжьэгъухэм ирагъэлъагъунущ ягъэтIыса жыгыщIэ тхьэIухудхэр. Балией жыгхэр ПащIэ Бэчмырзэрэ Мечиев Кязимрэ я фэеплъ сынхэм и гупэм щыхасащ. А щIыпIэр хэплъыхьауэ, дыгъапIэу къыхахащ, къэкIыгъэхэр нэхъыфIу хэхъуэн, заужьын папщIэ. Гъэ къакIуэ абыхэм я лъабжьэм тетIысхьэпIэ цIыкIухэр щIагъэувэнущ, гукъыдэж зиIэ дэтхэнэри зи гулъхэр дахэу зэрытIэпIыкI жыг тхьэIухудхэм я щIагъым зыщагъэпсэхун хуэдэу. Республикэм, уеблэмэ Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэ нэхъ дахэхэм ящыщщ ХьэтIохъущыкъуей хадэр. Къыхэгъэщыпхъэщ ар мы гъэм илъэс 90 зэрырикъур. «Гу къабзэхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм быдэу я фIэщ мэхъу, сакурэ дахэхэм республикэм щыпсэухэм къищынэмыщIауэ, Налшык зыгъэпсэхуакIуэ къахуеблагъэ дэтхэнэри зэрыщыгуфIыкIынур. Пщыгъуэш Iэсият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27305.txt" }
Лъэпкъ фIыгъуэ Урысейм и къэфакIуэ гуп нэхъыжьхэм, нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщщ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр. Мы гъэм абы игъэлъэпIэнущ илъэс 80 зэрырикъур. Гупым ди лъэпкъ къафэхэр дунейпсо утыкум ирихьащ, пшыхь мин бжыгъэхэр иригъэкIуэкIащ, Iэгуауэшхуэхэр хуаIэтащ. Ахэр ауэ къызэрыгуэкI ехъулIэныгъэкъым, атIэ икъукIэ къару куэд зрахьэлIащ. Ансамблым нобэ иIэ пщIэмрэ щIыхьымрэ псори дрогушхуэ, уеблэмэ «Кабардинка»-р лъэпкъым и дамыгъэ лъапIэ хъуащ. Мы ансамблыр хуабжьу егугъуащ XX лIэщIыгъуэм адыгэ щэнхабзэм зиужьа хъуным. КъэIуэтэгъуейщ абы ноби къихь сэбэпынагъыр зыхуэдэр. «Кабардинка»-р адыгэхэм я макъамэмрэ къафэмрэ я хъумакIуэщ. ЕхъулIэныгъэшхуэхэр абы щызыIэригъэхьащ хамэ къэралхэм. «Мы къэфакIуэхэм я уардагъэр зэрыбгъэщIэгъуэн псалъэ пхурикъуркъым, абыхэм ягъэлъагъуэ телъыджэр псэкIэ зыхэпщIэн хуейуэ арагъэнщ… Зы гуфIэгъуэ егъэлеякIэ узэщIаIэтэ абыхэм. Ансамблым и къэфэкIэм хыболъагъуэ я лъэпкъ хабзэжьхэм зэрызыхуагъэзэжри», — итхыгъащ зэгуэр Мароккэм къыщыдэкI «Вижи марокэн» газетым. 1981, 1985 гъэхэм Иорданием и пащтыхь Хъусейн ансамблым къыхуигъэфэщауэ щытащ Щхьэхуитыныгъэ орденым и япэ нагъыщэмрэ Иорданием и Вагъуэмрэ. Къытедгъэзэжми тфIэмащIэу жыдоIэ «Кабардинка» ансамблыр лъэпкъым зэрихъугъуэфIыгъуэр икIи гупым и Iуэхухэр адэкIи ефIэкIуэну ди гуапэщ. БОРЭ Заур, «Кабардинка» къэфакIуэ гупым и унафэщIым и къуэдзэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27309.txt" }
Кавказ Ищхъэрэм бжьыпэр щиIыгъщ Налшык къалэм щекIуэкIащ Урысейм и ХъумапIэ банкым и Кавказ Ищхъэрэ банкым и къудамэхэм я унафэщIхэм я зэIущIэ. Абы къыщапщытэжащ бизнес планхэр зэрагъэзэщIамрэ Урысей Ипщэм и щIыналъэхэм я экономикэмрэ цIыхухэмрэ хухах щIыхуэхэм хэгъэхъуэным теухуауэ зэфIагъэкIахэмрэ. Урысбий Хьэмидбий тыгъэ ират. КъищынэмыщIауэ, зэпкърахащ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр нэрылъагъуу къаIэтын папщIэ нэхъыщхьэу къапэщытхэр. ЩIыналъэ банкым и къудамэхэмрэ и IэнатIэхэмрэ я унафэщIхэм пщэрылъ пыухыкIахэр щащIащ, мы гъэм фIэкIыпIэншэу зрагъэхъулIэну зыщыгугъхэр къызэрызэрагъэпэщыну щIыкIэр ягъэбелджылащ. Кавказ Ищхъэрэ банкым и Iэтащхьэ Колтыпин Петр зэIущIэм и иужьрей махуэм Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и IэщIагъэлIхэм яхуэзащ. Абы къигъэлъэгъуащ щIыпIэ IуэхущIапIэм нэгъабэ лэжьыгъэфI зэриIар, я къудамэхэм я еплъыныгъэ зэпеуэм кърикIуам ипкъ иткIэ бжьыпэр зэриубыдар. Я ехъулIэныгъэмкIэ гупым щехъуэхъум, Колтыпин Петр къыхигъэщащ я унафэщIым и фIыщIэ куэд абы зэрыхэлъыр икIи дипломрэ фэеплъ саугъэтрэ Урысбий Хьэмидбий иритащ. Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и лэжьакIуэ гупым Кавказ Ищхъэрэм и ХъумапIэ банкым и дипломрэ и фIыщIэ тхылърэ хуагъэфэщащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27314.txt" }
Адыгэ джэгу Адыгэ ныпым и махуэр гъэлъэпIэным хэта щIалэгъуалэр мэлыжьыхьым и 25-м и пщыхьэщхьэм Абхъазым и утым гуапэу къыщрагъэблэгъэжащ. Шылэ щэкIым къыхэщIыкIа нып щхъуантIэхэр зыIыгъ щIалэгъуалэр Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым и кIыхьагъкIэ ирикIуэри, Абхъазым и утыр «яуфэбгъуащ». Лъэпкъ ныпым иригушхуэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я нэгум гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ къищырт. ЖыпIэнуракъэ, республикэм ис щIалэгъуалэр махуэшхуэм нэхъри зэкъуигъэуват. Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий къызэхуэсахэм лъэпкъ бэракъым и махуэмкIэ гуапэу ехъуэхъуа нэужь, лъэпкъ ныпым и тхыдэ дахэм и гугъу яхуищIащ. — ЛIэщIыгъуэкIэрэ узэIэбэкIыжмэ, шапсыгъхэми, къэбэрдей адыгэхэми, адрей ди лъэпкъэгъухэми нып диIэу щытащ. Абы и мыхьэнэр инт. Адыгэхэр зэхуэс щыкIуэкIэ, зэуапIэм щыIухьэкIэ, ныпыр я Iэпэгъуу щытащ. Бэракъым цIыхухэр зэкъуэтыныгъэм къыхуреджэ, хабзэ, нэмыс яхэлъыным, нэхъыжьхэм — пщIэ, нэхъыщIэхэм гулъытэ яхуэщIыным хуеущий. ИужькIэ, Кавказ зауэм щыгъуэ, псори къызэщIэзыгъэуIуэ, къызэщIэзыIэтэ нып къагупсысащ. Ар гуфIэгъуэ ину къалъытэу зэхуэсышхуэм къыщащтащ, — жиIащ Къалмыкъ Жылэбий. — Адыгэ ныпым и махуэр 2010 гъэм щыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъ-къэрым щыдогъэлъапIэ. Махуэшхуэм хэт щIалэгъуалэм я бжыгъэм гъэ къэси къызэрыхэхъуэм дрогушхуэ. Ди къэкIуэнур зэлъыта щIэблэр цIыху пэжу дунейм Тхьэм фытригъэт. Дызэкъуэту дыпсэумэщ ди лъэпкъ Iуэхухэр щыдэкIынур. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и вице-президент, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Адыгэ ныпым и махуэр гъэлъэпIэным хэтхэм аргуэру зэ ехъуэхъуащ. Республикэм и районхэм машинэкIэ кIуа щIали 120-м Мухьэмэд адыгэ махуэгъэпс тыгъэ яхуищIащ, гупым и унафэщIхэм Лермонтов Михаил и «Кавказ поэмэхэр» тхылъыр яритащ. ХьэтиякIуэм хабзэм тету (щIалэхэр сэмэгурабгъумкIэ, хъыджэбзхэр ижьырабгъумкIэ къыщыту) утыкур хуит ищIри, джэгур зэхиублащ. ЩIалэгъуалэр екIуу, Iэдэбу утыку итащ. Макъамэ дахэм кIуэ пэтми нэхъри къызэщIигъаплъэ джэгум хэтхэр къэфэнкIэ зэпеуэу зэрытемыгъакIуэм хуэдэт. Апхуэдэу пшапэр зэ-хэуэху я нэгу зрагъэужьащ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27320.txt" }
Фермер хозяйствэм къыхашэ Адыгей. Сирием къикIыжа адыгэхэм фермер, щхьэзакъуэ уней хозяйствэ къызэрагъэпэщынущ. Республикэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къалэн щащIащ, лъахэм къэзыгъэзэжахэр щыпсэу щIыпIэхэм абы теухуа семинархэр щрагъэкIуэкIыну, Iуэхум и хэкIыпIэ псори гурагъэIуэну. Иджыпсту къуажэхэм щопсэу Сирием къикIыжа адыгэ 70-м щIигъу, я нэхъыбэр — Тохъутэмыкъуей куейм. Языныкъуэхэм езыхэм я псэупIэхэр зыIэрагъэхьэ, уней хозяйствэ яIэну, Iэщ ягъэхъуну жэрдэм зыщIхэри яхэтщ. Мэкъумэш хозяйствэмкIэ министерствэм и лIыкIуэхэр лъахэм къэзыгъэзэжахэм яхуэзащ, фермер хозяйствэ къызэрагъэпэщын, щыIэ программэхэм хыхьэн папщIэ зэфIахыпхъэхэр гурагъэIуащ. IэщIагъэлIхэм я къэкIуэнур мэкъумэш хозяйствэм пызыщIэну гукъыдэж зиIэхэм абыкIэ дэфтэрхэр зэрагъэпэщу щIадзащ. А псоми къыдэкIуэу Сирием къикIыжу хэкум къэзыгъэзэжахэм министрествэм къыбгъэдэкI псапащIэ дэIэпыкъуныгъэри Iэрагъэхьащ. Концертым зыхуагъэхьэзыр Абхъаз. Республикэм щыIэ дзэ базэм къулыкъу щезыхьэкI Урысейм и зауэлIхэм ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм Абхъазым щыпсэухэм папщIэ концертышхуэ ятыну мурад ящIащ. Ипщэ дзэ округым и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, программэм нэхъыбэу хыхьэнур зауэм теухуа, цIыхухэм зэрахьа лIыгъэм хуэгъэпса совет композиторхэм, иджырей авторхэм я IэдакъэщIэкIхэрщ. Махуэшхуэ макъамэм щIыгъунущ хореографие, утыкум Iэщэ яIыгъыу щиувыкIыныр, нэгъуэщI теплъэгъуэхэри. Концертым еплъынухэм я гукъыдэжыр нэхъри къызэщIаIэтэнущ бэрэбанауэхэм. Плац-концертхэр щекIуэкIынущ Сыхъумрэ Гъудэутрэ. УЭРДОКЪУЭ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27323.txt" }
Мы махуэхэм Мэлыжьыхьым и 27, щэбэт 1974 гъэм Байкал-Амур гъущI гъуэгур (БАМ-р) ухуэн щIадзащ. УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Шыбзыхъуэ Басир и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу. Шэрджэс политик, хьэрычэтыщIэ, псапащIэ Къэзанокъуэ Руслан и ныбжьыр илъэс 55-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 — 20, жэщым градуси 8 — 12 щыхъунущ. Мэлыжьыхьым и 28, тхьэмахуэ Лэжьыгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ Химие шынагъуэнша-гъэм и махуэщ Къуэш зэрыщIа къалэхэм я дунейпсо махуэщ 1874 гъэм къалъхуащ Щхьэлахъуэ Чэбэхъан, Хэку зауэшхуэм быни 9, зы нысэ, къуэрылъху-пхъурылъхуу 3 зыгъэкIуа шапсыгъ анэр. Абыхэм ящыщу къэзыгъэзэжа имылъагъуу дунейм ехыжащ. Шэрджэс тхакIуэ ДыщэкI Мухьэмэд къызэралъхурэ илъэси 111-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 23, жэщым градус 11 — 16 щыхъунущ. Мэлыжьыхьым и 29, блыщхьэ Къафэм и дунейпсо ма-хуэщ Химие Iэщэ къагъэсэбэпу ирагъэкIуэкIа зауэхэм хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ 1770 гъэм Австралиер къахутащ. 1942 гъэм Къардэн Къубатий Ленин орден етIуанэу къратащ. 1964 гъэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэуващ «Лалуцэ» япэ адыгэ балетыр. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 25, жэщым градуси 13 — 17 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27324.txt" }
Дуней псор щыгъуазэщ КИФЩI-м и инвестицэ проект нэхъ ин дыдэр — ерыскъы, щэкI промышленностым папщIэ полиэтилентерефталату (ПЭТФ) тонн 486-рэ илъэсым къыщыщIагъэкIыну заводым тещIыхьар Май районым зэрыщагъэзащIэр щIыпIэ куэдым хэIущIыIу щы- хъуащ. — Абы дуней псор щыгъуазэщ. Мы проетым яужь щихьэм, и мыхьэнэр къыдгурыIуэри, дыхэтыну мурад тщIащ икIи дыхущIегъуэжакъым. Ар гъэзэщIэным ди къарур хузэщIэдгъэуIуэну дыхьэзырщ, — къыхагъэщащ проектым и дэрэгъу хамэ къэрал компание лъэрызехьэхэм я лIыкIуэхэм. А Iуэхум жыджэру щIадзащ. Транспорт, инженер, коммунальнэ IэнатIэхэм я псэуалъэхэр еужьэрэкIыу яухуэ. «Къэббалъкъинвестстройком» подряд организацэм и инженер нэхъыщхьэ Этезов Руслан къызэрыджиIамкIэ, предприятэщIэмрэ поселкэмрэ я зэIузэпэщыныгъэр объекти 8-м къызэрагъэпэщынущ. Апхуэдэщ псы гъэкъэбзапIэ зэхуэщIахэр, псы къыхэшыпIитIыр, автомобиль гъуэгур, фIей щIэжыпIэхэр. — IэнатIэм папщIэ псы къыщIэшыпIэу 5, цIыхухэм щхьэкIэ 3 дубрууащ, псы хъумапIэхэмрэ насос станцхэмрэ дгъэуващ. Ахэр процент 90-кIэ лэжьыгъэм хуэхьэзырщ, — къигъэлъэгъуащ Этезов Руслан. — Автомобиль гъуэгуу километри 8 доухуэ. Абы и процент 70-р и кIэм нэдгъэсащ: мывэ-пшахъуэ зэхэлъхэмкIэ зэтес тщIауэ, асфальт зэрытетлъхьэнум худогъэхьэзыр. Токышхуэ зрикIуэну кIапсэхэр зэрашэщIыну пкъо пщыкIуз догъэув, иджырей трансформатор подстанц нэхъыфI дыдэм хуэдэ гъэмахуэм къытхуэкIуэнущ. Километр ныкъуэм фIей щIэжыпIищ щыдоукъуэдий. Метрих зи кууагъ щIэж зэхуэхьэсыпIэ завод пщIантIэм щытщIынущ, давленэшхуэм тещIыхьа газ кIуапIэу километри 8 дыухуэнущ. Инженер нэхъыщхьэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, инфраструктурэм пыщIа лэжьыгъэхэр мы гъэм и фокIадэ мазэм яухыну я мурадщ. — Къалэн нэхъыщхьэу къытщащIар мы щIыпIэм щыпсэухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынырт. Октябрьскэ къуажэм къыщыхатхыкIащ экскаваторщикыу, сварщикыу, трактористу, нэгъуэщI IэщIагъэхэмкIэ ди деж щылэжьэну хуейхэр. Абыхэм къадэкIуэу, Май къалэм, Курскэ къутырым, Прохладнэ районым, республикэм и адрей куейхэм щыщхэри къэтщтауэ, автобуситIкIэ къыдошэ, зэбгрыдошыж, къэнэну хуейхэм папщIэ цIыху 60-70-м тещIыхьа псэупIэ щыIэщ, зыгъэпскIыпIэрэ шхапIэрэ дыухуащ. Псори пщIэншэу догъашхэ, — къыхигъэщащ Этезов Руслан. Мы заводым Май районым зригъэужьынущ. Ухуэныгъэр зэрекIуэкIым хамэ къэрал щыщхэри кIэлъоплъ. ЗэфIагъэкI лэжьыгъэм елъытауэ, сом 500-м щегъэжьауэ 1200-м нэс махуэм къахь. Предприятэм и теплъэр зыхуэдэнур мы зэкIэ къыхэщхьэхукI къудейщ. Езы заводыр ухуэным мэкъуауэгъуэм и 1-м щIадзэну я мурадщи, псоми ящIэн ягъуэтынущ. Май муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27326.txt" }
Нэхей А.Къ. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр фэщыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэм фIыщIэ ин зэрыщиIэм, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным куэд зэрыхищIыхьам папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр фIэщын Нэхей Аслъэнджэрий Къасым и къуэм — «Адыгейм цIыхубэ уэрэдымкIэ и «Ислъэмей» къэрал ансамбль» къэрал бюджет щэнхабзэ IуэхущIапIэм и Iэтащхьэм икIи художественнэ унафэщIым. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м №62-УГ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27329.txt" }
Сабий зэчиифIэхэр утыку къохьэ Дунейм и сыт хуэдэ плъыфэри я IэдакъэщIэкIхэм нэрылъагъу щащI сурэтыщIхэм. ЩIымахуэм и хужьагъыр, гъатхэм и щхъуантIагъэр, гъэмахуэм и теплъэ щхъуэкIэплъыкIэр, бжьыхьэм и дыщафэр — дэтхэнэми гупсысэ пыухыкIахэм ухуашэ. Уэрэдым жыIэным дихьэх пщащэхэр. ГъащIэм и купщIэр щыIэщIэху, и гукъыдэжыр щехуэх зэманхэм зи гугъу тщIы сурэтхэм Iуплъэныр и хущхъуэгъуэщ цIыхум. Псом хуэмыдэу къабзагъэ хыболъагъуэ сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэм. Удз гъэгъахэр, жыгхэр, уардэунэхэр, къуршхэр, къуалэбзухэр сабийхэм ди нэгу къызэрыщIагъэувэр нэгъуэщIущ. Абыхэм псысэ теплъэ яIэщ, ахэр гъащIэм и фIыпIэм и нэщэнэщ. СурэтыщI ныбжьыщIэхэм я гъэлъэгъуэныгъэу иджыблагъэ ЩэнхабзэмкIэ фондым къыщызэIуахарщ мыпхуэдэ гупсысэхэм дыхуэзышэр. УзыщыгуфIыкIын защIэт абы щызэхуэхьэсар. ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №1-м и гъэсэнхэм я гуи я пси халъхьами ярейт сурэтхэм, ахэр апхуэдизкIэ дахэти! Бирюковэ Марие, 5-нэ классым щеджэ хъыджэбзым, и сурэтым «зыщигъафIэрт» удз гъэгъа Iэрамэ телъыджэм. 2-нэ классым щIэс Къуэдзокъуэ Афуля «Къафэ» зыфIища сурэтым укъимыгъэуIэбжьынкIэ Iэмал иIэтэкъым: фащэхэр къызыщыпс пщащэмрэ щауэмрэ апхуэдизу Iэзэу дауэ къигъэлъэгъуэфа ныбжьышхуэ зимыIэ а хъыджэбз цIыкIум?! Удовенкэ Юлие (3-нэ класс) ищIа «Бгым и теплъэр», Черкесов Мустэфа (4-нэ класс) утыку кърихьа «Лучник» лэжьыгъэр-щэ?! Псори узыIэпызышэщ, гур зыгъэушэщ. Гъэлъэгъуэныгъэр я IэдакъэщIэкI гъэщIэгъуэнхэмкIэ ягъэдэхащ Сабийхэм эстетикэ гъэсэныгъэ етынымкIэ къалэ центрым, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм, и еджакIуэхэми. Абыхэм ягъэлъагъуэ IуэрыIуатэр зи лъабжьэ сурэт хьэлэмэтхэмрэ керамикэм къыхэщIыкIа хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэмрэ. «Сосрыкъуэ» (Лий Алихъан и IэдакъэщIэкIщ), «Мэлычыпхъу и щыгъуэ» (Ефремовэ Тоня), «Сосрыкъуэрэ Иныжьымрэ» (Сокъур Миланэ) сурэтхэм IуэрыIуатэм и хъыбархэр уи нэгу къыщIагъэхьэж. Центрым и «Дыщэидэ» студием и гъэсэнхэми ягъэлъагъуэ лэжьыгъэхэр, «Этно-Акцент» зыфIащар, щIэщыгъуэт. Пасэрей тхыпхъэхэмрэ щIыкIэхэмкIэ гъэхьэзыра лэрыпс зэмылIэужьыгъуэхэр куэдым яфIэхьэлэмэту зэпаплъыхьащ. Къэдабэм къыхэщIыкIа сурэтхэр, графикэр къызыщагъэсэбэпа лэжьыгъэхэр я гъунэжт ХудожествэхэмкIэ сабий школым и ныбжьыщIэхэм. Удэзыхьэхт Лъэпщ Дианэ и «Музыкантхэр» графикэр, узэхъуэпсэнт къэдабэкIэ сабийхэм ящIа розэхэри мыIэрысейхэри… Выставкэр къыщызэIуахым кърихьэлIа псори иригушхуэу сабийхэм я IэдакъэщIэкIхэм тепсэлъыхьащ, гъуазджэм ехъулIэныгъэкIэ зыкъыщагъэлъэгъуэну дэтхэнэми ехъуэхъуащ. «Сабий зэчиифIэхэр нэхъ жыджэру утыку къихьэ зэрыхъуам сыщогуфIыкI. Налшык къалэ щIыпIэ администрацэм къыбгъэдэкIыу, Вэрокъуэ Владимир фIыщIэ хузощI. Абы и фIыгъэщ мы пэшышхуэхэр нобэ IэрыкI телъыджэхэм зэрауфэбгъуар. Лэжьыгъэхэр сабийхэм ящIауэ къыпхуэмыщIэну, гупсысэшхуэ ящIэлъщ, щIэщыгъуэщ», — жиIащ Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Дол Анжелэ. НыбжьыщIэхэм пшынэм, гитарэм, пианинэм, скрипкэм, нэгъуэщI макъамэ Iэмэпсымэхэми зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр ягъэлъэгъуащ. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27333.txt" }
Псэ къулейхэр Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я республикэпсо зэпеуэ цIэрыIуэм, «Си бзэ — си псэ, си дунейм», ипкъ иткIэ ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ егъэджынымрэ методикэмкIэ и кафедрэм къызэригъэпэщащ «Методикэ лэжьыгъэ нэхъыфI», «Дерс зэIуха нэхъыфI» зэпеуэхэр. Абыхэм къарикIуахэр къыщапщытэж гуфIэгъуэ зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ институтым. ТекIуахэр ягъэпажэ. Зэхуэсым хэтащ институтым и унафэщI, КъБКъУ-м и профессор, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор Емуз Нинэ, КъБКъУ-м и проректор, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Баразбиев Муслим, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэу Мыкъуэжь Арсенрэ Жыласэ Маритэрэ, КъБКъУ-м и педагогикэ факультетым и декан, «Эльбрусоид» жылагъуэ фондым и унафэщI Анаев Марат, адыгэбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ методистхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэ цIыкIухэр. ГуфIэгъуэ зэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ егъэджынымрэ методикэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат Инчы Иринэ. Къызэхуэсахэр Iуэхум щигъэгъуэза нэужь, абы утыкур псом япэ хуит хуищIащ Налшык дэт сабий сад №40-м и гъэсэн цIыкIухэм. Я егъэджакIуэ Къарэжь Тамарэ ящIыгъуу абыхэм ягъэхьэзыра «Си лъахэ, си Къэбэрдей-Балъкъэр» литературэ-макъамэ композицэр гуфIэгъуэм кърихьэлIа псоми ягу ирихьащ. АдэкIэ псалъэ къищтащ Емуз Нинэ. Институтым и унафэщIыр ехъуэхъуащ «Методикэ лэжьыгъэ нэхъыфI», «Дерс зэIуха нэхъыфI» зэпеуэхэм щытекIуа егъэджакIуэхэм икIи адэкIи я лэжьыгъэм ехъулIэныгъэфIхэр щаIэну, лъагапIэщIэхэм нэсыну зэригуапэр яжриIащ. ГуфIэгъуэ зэIущIэр йокIуэкI. — КъытщIэхъуэ щIэблэм анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ, сыту жыпIэмэ абыхэм ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ ират къудейуэ аракъым, атIэ абы къыдэкIуэу езы бзэр, къыкIэлъыкIуэу лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр, гъуазджэр яхъумэ, — къыхигъэщащ Емузым. — Зи бзэм хуэмысакъ, ар езымыгъэфIакIуэ, зымыхъумэ лъэпкъым къэкIуэну иIэкъым. Нобэ ди нэгу щIэкI, дызыхэт Iуэхугъуэм абыкIэ гушхуэныгъэ къытхелъхьэ: анэдэлъхубзэм мыпхуэдиз гулъытэ щигъуэткIэ, шэч хэлъкъым: ди лъэпкъхэм иджыри къапэщылъщ зыужьыныгъэ лъагэм дыхуэзышэ тхыдэ гъуэгуанэ кIыхь. Зэхуэсым кърагъэблэгъа хьэщIэхэм даIыгъащ Емузым и псалъэхэр икIи жаIащ зи анэдэлъхубзэр зыджым, абы и къарур псэкIэ зыхэзыщIэм, ар хуиту зыгъэшэрыуэу зи гупсысэр нэгъэсауэ абыкIэ къэзыIуэтэф цIыхум нэхърэ нэхъ псэ къулей, насыпыфIэ зэрыщымыIэр. Абыхэм егъэджакIуэхэм фIыщIэ хуащIащ я лэжьыгъэфIым папщIэ. КъэпщытакIуэ гупымхэт Бекъан Масирэт. АдэкIэ институтым и унафэщIымрэ хьэщIэхэмрэ зэпеуэхэм къыхэжаныкIахэр ягъэпэжащ щIыхь тхылъхэмкIэ. Абыхэм я гъусэу текIуахэм иратащ Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием щыIэ «Адыгэ щIэнгъуазэ» институтым и унафэщI, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупым хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Уэрыш Нурхьэлийрэ къыдагъэкIа Адыгэпсо (шэрджэс) стIолыщхьэ календаррэ адыгэбзэкIэ тха Адыгэ махуэгъэпсрэ. А тыгъэхэр къабгъэдэкIащ «Адыгэ псалъэмрэ» Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ. Зэпеуэхэм пашэ щыхъуахэм ахъшэ саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ Анаев Марат зи унафэщI «Эльбру-соид» жылагъуэ фондыр. Апхуэдэ гулъытэ лъагэ зыгъуэтахэм ящыщщ анэдэлъхубзэр (адыгэбзэр, балъкъэрыбзэр) республикэм и курыт школхэм щезыгъэджхэу Жэмыхъуэ Раисэ, Шыбзыхъуэ ФатIимэ, Шэшэн Людмилэ, Нанэ Любэ, Джангуразовэ Лизэ, Езий Оксанэ, Хъуэст ФатIимэ, Бекъан Масирэт, Мэшыкъуэ Iэсият, Ефэнды Маринэ, Нот Зое сымэ, КъБКъУ-м и педколледжым адыгэбзэр щезыгъэдж- хэу Тэнащ Тамарэ, Лъостэн Марьянэ, Пэшол Сакимэ, нэгъуэщIхэри. Зэпеуэхэм я къэпщытакIуэ гупым хэта, АнэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ Етхуанэ Урысейпсо мастер-классым щытекIуауэ щыта Къумыкъу Светланэ щIыхь тхылъым щIыгъуу, «Адыгэ псалъэмрэ» Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ къабгъэдэкIыу иратащ МэшбащIэ Исхьэкъ и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса томи 7 хъу тхылъхэр. ГуфIэгъуэр ягъэдэхащ республикэм и щIыналъэхэм къикIа еджакIуэхэм ягъэзэщIа уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ, теплъэгъуэ цIыкIухэмрэ гъэлъэгъуэныгъэ купщIафIэхэмрэ. ЗэIущIэр езыгъэкIуэкI Инчы Иринэ. Аушыджэр дэт курыт школым и еджакIуэ Урыс Самирэ уэрэд жеIэ. Налшык дэт сабий сад №40-м и гъэсэнхэм зыкъагъэлъагъуэ. Налшык дэт курыт школ №9-м и уэрэджыIакIуэ гупыр. КЪАРДЭН Маритэ. Сурэтхэр Мамий Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27338.txt" }
ЗыхузэфIэкIынухэр фыдэIэпыкъуну къыволъэIу Илъэсищ зи ныбжь КIурашын Алинэ цIыкIу уз хьэлъэ къеуэлIащи, илъэситI хъуауэ дохутырхэр йоIэзэ, ауэ зэкIэ сабийм и нэхэм зезыта лышхым пэлъэщыркъым. ТхьэмахуитI хуэдиз ипэкIэ хъыджэбз цIыкIум и нэ лъэныкъуэр кърахащ, ауэ зэкIэ ари сэбэп хъуакъым. КIурашын Алинэ Аслъэн и пхъур кърагъэлын папщIэ ахъшэшхуэ трагъэкIуэдэн хуейщ. Абы къыхэкIыу, сабийм дэIэпыкъуфыну щыIэхэм дыныволъэIу фхузэфIэкIым хуэдиз ахъшэ зэхуэфхьэсыну. Банк картэм и номерыр: 4276550017134423 Счётым и номерыр 40817810255031736441 «Урысейм и ХъумапIэ банк» ОАО, Ищхъэрэ-КъухьэпIэ банк Корреспондент счётыр 30101810500000000653 БИК 044030653; ИНН 7707083893 ОКПО 09171401; ОКО НХ 96130 КПП 783502001
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27348.txt" }
НыбжьыщIэхэм я зэфIэкI Къып Мухьэмэд и цIэр зэрихьэу Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм ГъуазджэхэмкIэ дэт сабий школым зэфIэкI ин зэриIэр аргуэру зэ псоми хьэкъ ящищIащ. Иджыблагъэ екIуэкIа «ЩIалэгъуэ, щIэныгъэ, щэнхабзэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ школым и гъэсэн КIуж Маритэ хидыкIа лэжьыгъэм. Апхуэдэу еджапIэм и ныбжьыщIиплI — ПщыхьэщIэ Залым, Ездэч Темырлан, КIужхэ Маратрэ Маритэрэ — урысейпсо зэхьэзэхуэм декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ щытекIуащ. Ахэр ирагъэблэгъащ «Орлёнок» пионер лагерь цIэрыIуэм, я лэжьыгъэхэр щыпхагъэкIыну, я къуажэми республикэми я щIыхьыр щагъэлъэпIэну. «Мы сабийхэр мурадыфIхэр яIэу мэпсэу. Абыхэм я гугъэщ дахагъэкIэ дуней псор ягъэщIэрэщIэну», — жеIэ еджапIэм и унафэщI КIуж Ритэ. ХьэрычэтыщIэ Ездэч Мухьэмэдрэ Бахъсэн район администрацэмрэ я фIыгъэкIэ, ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и гъэсэнхэр зэпымыууэ хэтщ республикэми нэгъуэщI щIыналъэхэми щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм, абыхэми щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я фестивалхэми къыщыхожаныкI. АЛОКЪУЭ Аринэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27352.txt" }
«Дайлам»-р хабзэщ «Шэджэм псыкъелъэхэр» цIыхубэ ансамблым и уэрэджыIакIуэ гупыр хэтащ Грознэ къалэм цIыхубэ творчествэмкIэ щекIуэкIа «Традиции гор — Дайлам» дунейпсо фестивалым. Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Къалмыкъ, Дагъыстэн, Ингуш республикэхэм, Ставрополь крайм я къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ а махуэм дэрэжэгъуэ иратащ Шэшэн республикэм исхэмрэ хьэщIэхэмрэ. Хамэ къэралхэм — Иордание Хьэшимит къэралыгъуэм, Доминикан, Азербайджан республикэхэм къикIахэри хэтащ фестивалым. «Шэджэм псыкъелъэхэр» ансамблым игъэзэщIащ Къэбэрдокъуэ Борис итха «Си Къэбэрдей» уэрэдыр. Зэхуэсахэм абы Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ. Гупым къратащ дунейпсо фестивалым зэрыщытекIуам щыхьэт техъуэ тхылъыр, кубокыр, меда-лыр. Фестивалым и етIуанэ махуэм хьэщIэхэм Грознэ къалэм зыщаплъыхьащ. Зэхыхьэм хэтхэр щыIащ Кадыров Ахъмэт и цIэр зезыхьэ мэжджытымрэ Лъэпкъ музеймрэ, ЩIыхьым и аллеем. ГЕРАСИМОВЭ Риммэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27354.txt" }
БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым БизнесымкIэ и институтым зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ. Абы утыку къыщрахьащ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIа «Черкесы. Воины и мастера» альбомыр. Тхылъым и авторыр дизайнер, сурэттех Щоджэн Жаннэщ. Котляровэ Марие и псалъэм къыхигъэщащ шэрджэсхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр щызэхуэхьэса лэжьыгъэр щыуагъэншэу дунейм къытехьэным зэрегугъуар, сурэтхэр щхъуэкIэплъыкIэу зэрыхагъэхьар, хьэпшыпхэм, Iэщэ-фащэхэм я цIэхэр, абыхэм ухэзыгъэгъуазэ тхыгъэхэр бзищымкIэ (адыгэ, урыс, инджылыз) зэрыщIыгъур. — Тхыдэм и лэжьакIуэхэми дэтхэнэ зы цIыхуми мы тхылъым щIэ куэд къыщагъуэтынущ, шэрджэсхэм я блэкIам теухуауэ. Тхылъыр къыдэдгъэкIынымкIэ къыддэIэпыкъуа коллекционерхэм фIыщIэ яхудощI. Мы лэжьыгъэм адэкIи пытщэну ди мурадщ, — жиIащ Марие. КъБР-м ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин жиIащ тхылъым елэжьахэр Iуэхум зэрегугъуар. Ар гуапэу ехъуэхъуащ сурэт альбом зыщIахэмрэ ар зи унэ илъынухэмрэ. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру илъэс куэдкIэ лэжьа Ефэнды Джылахъстэн, профессор, философие щIэныгъэхэм я доктор Эфендиев Сэлихь, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, тхыдэтх Бэрзэдж Нихьэт сымэ Щоджэн Жаннэрэ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ ехъуэхъуащ узыншагъэ, ехъулIэныгъэ я куэдыну, тхылъым и къыдэкIыгъуэр махуэ яхуэхъуну. КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и лIыкIуэ Ксанаев Мурат мы зэхыхьэ гуапэм къызэрырагъэблэгъам папщIэ фIыщIэ яхуищIа нэужь, жиIащ и лэжьэгъухэм альбомыр ягу зэрырихьар. Тхылъыр къыдэзыгъэкIахэм щехъуэхъум, абы къыхигъэщащ Щоджэн Жаннэ и лэжьыгъэр зэрыдагъуэншэр, лъэпкъ гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкI хьэпшыпхэр, Iэщэ-фащэхэр тхылъым дахэу къызэрыщыгъэлъэгъуар. ЗауэлIым, цIыхухъу Iэщэм теухуа сурэтхэмрэ тхыгъэхэмрэ бзылъхугъэм зэрызэхуихьэсыфам папщIэ щытхъу зэрыхуэфащэри щIигъужащ. Кавказым ис лъэпкъхэм я Iэщэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ зэхуэзыхьэс Кузнецов Андрей къыхигъэщащ Хэку зауэшхуэм и пэкIи и ужькIи абыхэм хуэфащэ гулъытэ зэрыхуамыщIар, тхыгъэрэ тхылъу траухуар зэрымащIэ дыдэр. — Кавказ Iэщэм теухуа иужьрей тхылъыр къызэрыдэкIрэ илъэс 18 щрикъум мы альбомыр дунейм къызэрытехьар IуэхуфIщ. Шэч хэлъкъым ар куэдым къызэрыдгъэсэбэпынум, щхьэпэ зэрытхуэхъунум. Лэжьыгъэм и пщIэр еIэт ар къэхутэныгъэу зэрыщытым. Тхылъым зэрегугъуар нэрылъагъущ, щыщIэныгъэ иIэкъым, — жиIащ Кузнецов Анд-рей. Дэрбзэр, модельер ХьэцIыкIу Мадинэ жиIащ пасэрей IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, езым и дежкIэ лъапIэ хьэпшыпхэр, Iэщэ-фащэхэр щызэхуэхьэса альбомым зэрыщыгуфIыкIар, тхылъым ихуахэр жьыми щIэми зэрафIэгъэщIэгъуэнынур. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Гъут Iэдэм къыхигъэщащ адыгэм къыдекIуэкI щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр щызэхуэхьэса мы лэжьыгъэм лъэпкъыр зэрыхуэныкъуэр, хуэфащэ гулъытэ зыхуамыщI языныкъуэ тхылъхэм хуэмыдэу, сурэт альбомым щIэупщIэшхуэ иIэну, щIэблэм зэIэпахыну зэригуапэр. Тхылъыр дунейм къытехьэнымкIэ къыдэIэпыкъуахэмрэ зэхыхьэм хэтахэмрэ Щоджэн Жаннэ фIыщIэ яхуищIа нэужь, кърихьэлIахэм я упщIэхэм жэуап иритащ. ЗэIущIэр ягъэдэхащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым и студентхэм. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27356.txt" }
Жылэр зезыхьэр жылэ и уасэщ Нэхущ Заурбий Ахьмэд и къуэр Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм 1943 гъэм къыщалъхуащ. Вольт лъахъшэ аппаратурэ къыщыщIагъэкIыу Тырныауз дэт заводым 1960 гъэм лэжьэн щыщIидзащ. 1962 — 1965 гъэхэм дзэм къулыкъу щищIащ. Абы къикIыжри, вольфрамрэ молибденрэ къыщыщIах заводым щылэжьащ. 1966 гъэм КъБКъУ-м и агроном къудамэм щIэтIысхьэри, ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. «Налшык» совхозым щылажьэу, жэрдэм зыхэлъ щIалэм гу къылъатэри, КПСС-м и райкомым и мэкъумэш къудамэм и унафэщIу ягъэкIуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Къэрал агропромышленнэ комитетым и парткомым и секретару, КПСС-м и Бахъсэн райкомым и япэ секретару, Бахъсэн куейм и депутатхэм я щIыпIэ советым и унафэщIу лэжьащ. 1992 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ къалэныр къыхуагъэфащэ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым депутату хахащ икIи КъБР-м и Парламентым и япэ зэхыхьэм РеспубликэмкIэ и Советым и унафэщIу лэжьащ. Абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ щIэныгъэ, егъэджэныгъэ IэнатIэхэр егъэфIэкIуэным, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным хуэунэтIа Iуэху щхьэпэ куэд къиIэтащ. 1997 гъэм и мэлыжьыхь мазэм Нэхущ Заурбий Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и депутат хъуащ. УФ-м и Къэрал Думэм Федерацэмрэ щIыналъэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэу, абы дэщIыгъуу Кавказ Ищхъэрэм и Iуэхухэм ехьэлIа комиссэм и Iэтащхьэм и къуэдзэу щыщытам абы лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ Урысейм и бюджетнэ зэхущытыкIэхэр гъэтэмэмыным, политикэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, Конституцэм къызэригъэувым тету цIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэным ехьэлIауэ. Нэхущ Заурбий яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я парламентхэм я Совет къызэзыгъэпэщахэм. КъБР-м и жылагъуэ-политикэ гъащIэм ар сыт щыгъуи жыджэру хэтщ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ иримыхьэкIами, ар и кIэм нэсу, жэуаплыныгъэшхуэ пылъу, цIыхухэри и щхьэри къимыгъэщIэхъужу пэрытащ. Урысей Федерацэм парламентаризмэм зыщегъэужьыным илъэс куэдкIэ зэрыхуэлэжьам, республикэм и къэрал къулыкъущIапIэхэм щызэфIигъэкIахэм папщIэ 2000 гъэм Нэхущым «ЩIыхь» орден къратащ, 2003 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым къыбгъэдэкIыу ЩIыхь тхылъ къыхуагъэфэщащ. И ныбжьыр илъэс блыщI щрикъум ирихьэлIэу Нэхущ Заурбий зыхуэдгъэзащ икIи и гукъэкIыжхэмрэ и мурадхэмрэ тедгъэпсэлъыхьащ. Налшык къеблэгъащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир. Абы фIэхъус жреIэ Нэхущ Заурбий. 2001 гъэ Нэхущ Заурбий: Си щхьэ сыхуэткIиижщ — Республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIам, укъызэплъэкIыжмэ, епхьэкIа лэжьыгъэ IэнатIэхэм ящыщу дэтхэнэр нэхъ къогугъуэкIа, псом нэхърэ нэхъ пфIэгъэщIэгъуэну дэнэ ущылэжьа? — Сэ къэсщIэжым къызэхьэлъэкI лэжьыгъэ е къызэгугъуэкI IэнатIэ зэи сыIутакъым. Сыт хуэдэ къулыкъу сыпэрымыхьами, зэрызыхэзгъэзэгъэн яужь ситащ. Школыр къэзуха нэужь, Тырныауз сыдэкIуейри сыщылэжьащ. Абы шахтэр, армэр къыкIэлъыкIуащ. ИужькIэ университетым сыщIэтIысхьащ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэри нэхъыфIу зэрызгъэзэщIэным, цIыхухэм си сэбэп зэрезгъэкIыным, къысхуэарэзыуэ абы сызэрыпэрытыным яужь ситащ. КъБКъУ-р къызэрызухрэ лэжьыгъэ куэд зэсхъуэкIащ. Сыт щыгъуи си щхьэ сыхуэткIиижщи, сыт хуэдэ Iуэхури и кIэм нызогъэс. Нэхъ сызыхуэарэзыжу есхьэкIа IэнатIэм ущIэупщIэмэ, ар Бахъсэн районым сыщыщыIаращ. Си лэжьыгъэм гупсэхугъуэ къызитырт, цIыхум яхуэсщIэр слъагъужырт, си къару зыхэслъхьэми сызэхащIыкIырт — абы нэхъыфI ухуей?! Нобэр къыздэсым а зэманыр си гум IэфIу илъщ. Бзу IэрыпIым хуэдэщ гъащIэр. Апхуэдэ бзур бутIыпщыху, къигъэзэжынущ, гъащIэри аращ. ПщIа фIыращ сыт щыгъуи бгъуэтыжынур, Iей пщIамэ, къыбжьэхэуэжынущи, иужькIэ ухуэмыхъущIэж. Сызыдэлэжьахэми гузэрыдзэ самыгъэщIу, тыншу, гуапагъэкIэ дызэпэджэжу, дызэгурыIуэу дыкъызэдекIуэкIащ. Парламентым сыщыщыIа илъэсхэм я гугъу пщIымэ, ар жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ лъэхъэнэт си дежкIэ. Хабзэм къызэрезэгъкIэ, цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI зэрыпщIын яужь уитын хуейт, сыт щыгъуи хэкIыпIэм я нэхъыфIыр къыщылъыхъуапхъэ IэнатIэт. ЦIыхубэм я лIыкIуэм илэжьыр махуэ къэс есэп ищIыжу щытын хуейщ, а псор уэ зэпумылъытмэ, уи щыуагъэр псынщIэ дыдэу наIуэ хъунущ. Депутату сыщыщытам, жьы хъуа унафэхэр мылэжьэжу, щIэхэр иджыри щымыIэу срихьэлIащ. НобэкIэ дызытет хабзэхэм я нэхъыбэр а зэманым яубзыхуахэращ. Къытызогъэзэжри, лэжьыгъэ псори фIыщ, цIыхум абы хуиIэ бгъэдыхьэкIэращ псори зэлъытар. «Щымыуэр зыри зымыщIэрщ», — жаIэ. Дауи, щыуагъэ гуэр щытIэщIэкIаи къэхъуащ, узэплъэкIыжа нэужь, уи щхьэ ухузэгуэпыжу. Iуэху щыпщIэм деж къепхьэжьэ, зи яужь уихьэ псори къохъулIэркъым, аращ абыхэм я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр. ГъащIэм къызэримыгъэзэжым хуэдэу — зэман блэкIами къыпхуегъэгъэзэжыркъым. — 2000 — 2006 гъэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу ущытащ, а пIалъэм сыт хуэдэ Iуэхухэр зэфIэфха? — ПIалъитIкIэ тхьэмадэу сыщытати, бжыгъэншэщ зи яужь дита, къэтIэта Iуэхухэр. Къепхьэжьэ псор къохъулIэмэ, мураду пщIыр пхузэфIэкIмэ, ар гъащIэ хъужрэ? Лъэпкъым ухуэпэжу и Iуэху дэбгъэкIынумэ, куэд дыдэ блэжьын хуейщ. ЗэфIэдгъэкIахэм я гугъу пщIымэ, жыпIэ хъунущ Дунейпсо Адыгэ Хасэр Парламентым и лэжьыгъэхэм къыхэтшауэ, къалэн пыухыкIахэр зыхуэдгъэувыжрэ абыкIэ дылэжьауэ. Ар зи фIыщIэр а зэманым ДАХ-м и Хасащхьэм хэтахэращ. ДАХ-м и Конгрессым, ГъэзащIакIуэ гупым я зэIущIэхэр Тыркум, Иорданием, Сирием, нэгъуэщI щIыпIэхэм щедгъэкIуэкIыу къэзыублар дэращ, Хасэм и лэжьэкIэр, абы къызэщIиубыдэр дэнэ щIыпIи щыпсэу адыгэхэм ялъагъун хуэдэу. БлэкIар къыщыппщытэжкIэ, къыдэхъулIамрэ дызыху- нэмысамрэ ятеухуауэ куэд пхужыIэнущ, ауэ хуэму узэрыкIуэракъым, атIэ уи пIэм узэримытращ нэхъыщхьэр. — Арэзы укъищIрэ ДАХ-м зэфIигъэкI Iуэхухэм? Тхьэмадэу ущыщытамрэ нобэ лажьэ Хасэмрэ сыт зэщхьэщыкIыныгъэу яIэр? — Сигу ирохь я лэжьэкIэр. Зэманым зехъуэж жытIэу дыхъущIэ щхьэкIэ, цIыхум дежкIэ фIы куэд къыздехь а зэманыщIэм. Сэ тхьэмадэу сыщытетам зэманым къигъэув, дызыIущIэ лъэпощхьэпохэм, зэфIэхыпхъэ Iуэхухэм яужь дитащ, ноби аращ. Зэманым къыдалъху Iуэхухэм пэрытщ. КъыдэхъулIэрэ къыдэмыхъулIэрэ — ар нэгъуэщI Iуэхущ. А зэманми куэд къыдэхъулIакъым, нобэрейхэри зыхунэмыс щыIэщ. Зым къригъэжьам адрейм къыпищэу, ипэкIэ зэригъэкIуэтэным яужь имытмэ, Iуэхур зэфIэха хъунукъым. ДАХ-м нобэкIэ куэдым зрепщыт, зэрызэфIэмыкIынур фIыуэ къыдгурыIуэу. Ауэ абыхэм тепсэлъыхьын хуейщ, къэкIуэну щIэблэм нагъэсыжыфын хуэдэу. Пэ зиIэм кIэи иIэщ. Дауи, иджы улэжьэнуи, цIыхухэм уакъыгурыIуэнуи нэхъ гугъущ. — КъБР-м и Жылагъуэ палатэм лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэм, шыIэныгъэм теухуа IуэхухэмкIэ и комиссэм иджы уритхьэмадэщ. ЗэфIэвгъэкI Iуэхухэм я гугъу уэзгъэщIынут. — Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм къадекIуэкI гъэсэныгъэм и фIыгъэкIэ зэгурымыIуэ куэд щыIэкъым. Республикэм лъэпкъыу 100-м нэблагъэ исщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми гулъытэ хуэтщIыфу, и фIыр тлъагъуу щытын хуейщ. Мыбы щыпсэухэм къаплъэр къыдэхъуапсэу, дызэгурыIуэу дисыну, зым адрейм пщIэ хуэтщIу дыкъызэдэгъуэгурыкIуэну, лъэпкъ Iуэхум зэIухауэ, и пэжыпIэр жытIэфу дытепсэлъыхьыну къытпэщылъщ. Iуэхум зэIумыбз къыхэкIмэ, и пIэм къидмыгъэкIыу зэпкърытхын, итIанэ хэкIыпIэр псоми зэгъусэу къэтлъыхъуэн хуейщ. Лъэпкъ зэрыукIым IуэхуфI псори егъэкIуэдыж. Жылагъуэ зэгухьэныгъэ псоми ди къалэн нэхъыщхьэр щIалэгъуалэм гъуэгу тэмэм, гъащIэ узыншэ еттынырщ. Мис а псори зэуIуу зэпэщын папщIэ дэ дыхуейщ къэралым хуэлажьэхэм, зи къару щымысхьыжу абы и зыужьыныгъэм тегузэвыхьхэм. Псори дызэкъуэувэу ди щIалэгъуалэр чэнджэщкIэ, щапхъэкIэ, щхьэж и къару къызэрихькIэ дгъэсэну ди къалэнщ. ЖызыIэ щыIэщ лъэпкъхэм я зэхущытыкIэр экономикэм епхауэ, цIыхухэр зэрыхуэмыщIам зэгурымыIуэр къишэу, псалъэмакъыр нэхъыбэ ищIу. ПцIыщ. Лъэпкъым и зэхэщIыкIырщ, и щIэныгъэрщ псори зэлъытыжар. Экономикэм зедгъэужьмэ, абы лъэпкъ зэгурыIуэныгъэ къишэнущ жытIэу дыщыс хъунукъым. ЦIыхум нэхъыбэ къыгурыIуэху, и лъэпкъ Iуэхур япэкIэ зэригъэкIуэтэным, зэрызихъумэжынум яужь итынуращ. УкIийуэ утыку уилъадэкIи, уи бгъэм уеуэжкIи а Iуэхухэр зэфIэха хъунукъым. Хабзэ пыухыкIа щыIэщи, абы утету уи Iуэхур дэбгъэкIмэ, нэхъыфIщ. — Уэ дауэ къэплъытэрэ, сыт хуэдэ Iуэху япэ игъэщыпхъэу щыIэ республикэм? — ГъащIэм зыдегъэкIун, гъащIэщIэм къытхуихь зэхъуэкIыныгъэхэм къызэрезэгъым хуэдэу, Iуэхухэр зехьэн хуейщ. Совет властым хуэхъущIэ куэд щыIэщ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, фIы гуэр зыхэмылъа зэман зыри щыIэкъыми, Совет властым и фIыпIэр къыхэтхыу, ди гъащIэм хэзагъэр къатщтэ хъунущ. Сыт зэманми и унагъуэр зэрыхуэгъэпсэун улахуэ кърату цIыхур IэнатIэ пэрытын хуейщ. Зи бын мэжалIэр, зыхуей хуэмызэр кIуэнурэ е дыгъуэнущ, е лъагъуэ гъэпщкIуакIэ ахъшэ къилэжьынущ. Ар къэдгъэхъункIэ Iэмал зимыIэ Iуэхущ. Апхуэдэ гуныкъуэгъуэ щымыIэмэ, дызыгъэгузавэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъунущ. Шынагъуэ хъуащ зэманыр, цIыхухэр зэроукIыж. Мис ахэращ псом япэ игъэщауэ зэлэжьын хуейр. — Заурбий, уи унагъуэм теухуауэ сыт къыджепIэн? — Дэнэ сыщымыIами, си унагъуэр къызэрыскъуэтыр зыхызощIэ, абыхэм сыт хуэдэ Iуэхури къыздаIыгъщ икIи къыздагъэпсынщIэ. — Сыт хуэдэ гурыфIыгъуэхэр уиIэу уи илъэс бжыгъэ дахэм урихьэлIэрэ? — Республикэм и зыужьыныгъэм пхузэфIэкI хэплъхьауэ, абы кърикIуахэм арэзы укъыщамыщIым деж, дауи, уи жагъуэ мыхъуу къанэркъым. Зэкъуэшхэр щызэпэщIэувэкIэ, щызэрыукIыжкIэ ар нэщхъеягъуэшхуэщ, нэхъыжьхэм я щхьэ къезымыгъэIэт Iуэхущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым зы цIыхуи ису къыщIэкIынкъым а Iуэхухэм хуейуэ. ДзыхьмыщI-дзыхьмыщIу къыдоплъ ди къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэр. Ди республикэм къыщыхъу IуэхуфIхэм хуабжьу сыщогуфIыкI. ЩIалэгъуалэ жыджэр, республикэм и зыужьыныгъэм зы мащIэ нэхъ мыхъуми хэзылъхьэну жэрдэм зиIэхэр, щыслъагъукIэ, гукъыдэж ин къызет. Зыр адрейм зэран дыхуэмыхъуу, япэ идгъэщыпхъэр тщIэжу, зэгъусэу абы дытелажьэмэ, псори къыдэхъулIэнущ. Iуэху пщIыр Iуэху мэхъу. Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ. Щапхъэ тызох Зэманым къыдоунэху езым и лIыхъужьхэр. Ди зэманым и лIыхъужьхэм ящыщщ Нэхущ Заурбий. Ар цIыху гуащIафIэщ, лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъущ, совет системэм фIыуэ хэлъар зыхэзылъхьащ. Абы я фIыгъэшхуэ хэлъщ Заурбий и адэ-анэмрэ къыдалъхуа и къуэшхэмрэ. ЦIыху зэхэгъэж зэи ищIыркъым абы, ар наIуэ къыщыхъуар Заурбий къулыкъушхуэхэр зэрихьэ хъуа иужьщ. Сыт хуэдэ IэнатIэ лъагэ пэрымытами, цIыхугъэшхуэ зыхэлъу, зэхъуэкIыныгъэхэм щымышынэу, уеблэмэ абы фIы куэд хэзылъагъуэ цIыхуу зыкъигъэлъэгъуащ. Къэхъун хуейм зыпэщIимысэу, абы хухэлъхьэнур хилъхьэу апхуэдэщ Нэхущыр. Адыгэ хабзэр и гъуазэщи, абы зэи пхутекIынукъым. ПцIы, фэрыщIагъэ жыхуэпIэхэр хэзэгъэххэртэкъым, епцIыжакIуэхэр зыбгъэдигъэхьэртэкъым. КъызыхэкIам яхуэфащэу, хэкум папщIэ сыт хуэдэ лэжьыгъэри къызэрытемыхьэлъэр, абы лъагъуныгъэшхуэ зэрыхуиIэр ди республикэм и лIыкIуэу Москва щыщыIам хьэкъ тщищIащ. Нэхъыжьым пщIэ хуищIу, нэхъыщIэм дэIэпыкъуу, езым зыкъыщIэзыгъэкъуари щымыгъупщэу апхуэдэщ. «Уи ныбжьэгъур къызжеIи, узищIысыр бжесIэнщ», — жаIэ. Абы и лъэныкъуэкIи ныбжьэгъуфIхэр иIэщ Нэхущым. Ахэр куэд мэхъу, дэтхэнэри республикэм щыцIыху пашэу, езым хуэдэ хэкупсэу. Абы и ныбжьэгъу нэхъыфIхэм ящыщт КъБР-м и япэ президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ. Зым и дежи и щхьэр щимыгъэлъахъшэу, и пщIэрэ и щIыхьрэ иIыгъыжу, и лэжьыгъэр псом нэхърэ нэхъыфIу зэфIигъэкIыу къекIуэкIащ Заурбий. «Гуп зыгъэгупыр гуп и уасэщ», — жаIэ. ИкъукIэ тхьэмадэфIщ, Iуэхур хабзэм тету, дахэу, гукъинэжу зэфIегъэкI. Нэхущ Заурбий и къару илъыгъуэщ жыпIэмэ, ущыуэну къыщIэкIынкъым. Дыщогугъ иджыри IуэхуфIхэр республикэм хуилэжьыну, къарурэ узыншагъэрэ и бэу илъэс куэдкIэ къытхэтыну. И унагъуэм, и бынхэм, абыхэм я быныжхэм кърат гурыфIыгъуэм щымыщIэу Тхьэм ди япэ иригъэт! Сэхъурокъуэ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ. Упсэу, утхъэж, ди къуэш! Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, зэрыадыгэ лъэпкъыу дызэрыгушхуэ, дэни фIыуэ къыщацIыху лъэпкъылI щэджащэщ Нэхущ Заурбий. Бахъсэн щIыналъэм щыщыIа зэманырщ абырэ сэрэ дыщызэрыцIыхуар. Абы яужь ар IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым пэрытащ. Нэхущыр сыт щыгъуи хущIэкъурт Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI зэрищIыным. А Iуэхум Заурбий къару, щIэныгъэ куэд хилъхьащ. КъБР-м и япэ президент КIуэкIуэ Валерэ щIыгъуу, Парламентхэм я Совет (КъБР, КъШР, АР) зэхашэри, къэралыгъуэм и Iуэхур щыткIий зэманым сэбэпынагъышхуэ зыпылъ лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIащ. Гъуэгу захуэ, гъуэгу бгъуфIэ тет, Iуэхум и кIуапIэр, зехьэкIэр зыщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр куэдкIэ сэбэп къытхуэхъуащ Адыгэ Республикэм. Дэри а гъуэгу дахэм дытрашащ жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынкъым. Политикэр къэгъэнауэ, цIыхугъэ и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, щыпкъэу, лIыгъэ хэлъу адыгэ лъэпкъым гугъу задригъэхьащ ДАХ-м и тхьэмадэу щыщыта зэманми. Ди къэралым къищынэмыщIауэ, хамэ щIыналъэхэм щыIэ адыгэхэми Нэхущым пщIэшхуэ къыхуащI. Зэрылъэпкъыу ди щхьэ лъагэу дегъэлъагъуж. Щапхъэ тесхыу, пщIэ хуэсщIу илъэс куэд щIауэ дызэкъуэтщи, мы дуней дахэм фIыуэ тетыр и унагъуэм Тхьэм кърилъхьэ! Заурбий зэ IущIам, зылъэгъуам етIуанэуи слъэгъуащэрэт жиIэнущ. Дахагъэрэ гуфIэгъуэрэ щымыщIэу илъэс куэдкIэ тхуэпсэуну Алыхьым жиIэ! Упсэу, утхъэж, ди къуэш лъапIэу Заурбий! Тхьэрыкъуахъуэ Мухьэрбий, Адыгэ Республикэм и Къэрал Советым-Хасэм и депутат, Правительствэм и унафэщIу щыта. Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат Нэхущ Заурбий КъБР-м и Парламентым и гуфIэгъуэ зэIущIэм хэтщ. 2005 гъэ, фокIадэм и 1 Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр щIыгъуу Иорданием щохьэщIэ. Амман, 2001 гъэ, накъыгъэм и 1 Зэхэгъэж ищIыркъым ГъащIэ гъуэгуанэ гугъу, ауэ гъэщIэгъуэн, купщIафIэ къикIуащ Нэхущ Заурбий. Ар республикэм нэхъ къулыкъущIэшхуэ зезыхьэхэм ящыщ зыщ. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, псори арэзы къищIу зэфIихырт. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щылэжьа къудейр къащти, а пIалъэм къриубыдэу сыт хуэдэ лъэпощхьэпо IумыщIами, гупсэхуу, лъэпкъым дежкIэ зэрынэхъыфIынум хуэдэу зэфIигъэкIырт. Ар нобэ къыдэкIуэтей щIэблэм я щапхъэщ, уеблэмэ сэри куэдрэ абы сыдэплъеящ. Нэхущым ифI зэкIамрэ ар зыдэIэпыкъуамрэ бжыгъэншэщ — абыхэм сащыщщ сэри. КъБР-м щылажьэ законхэм, хабзэхэм я лъабжьэр зыгъэтIылъахэм япэ итащ ар. Заурбий удэлэжьэну икIи гугъут, икIи гъэщIэгъуэнт, ауэ езыр цIыху тыншт. Сыт хуэдэ IэнатIэми цIыху зэхэгъэж щищIакъым, сытым дежи псом япэ иригъэщыр лэжьакIуэ гуащIафIэрт. Нэхущ Заурбий республикэм лэжьыгъэшхуэ хуищIащ, си щхьэ нэхъыфIщ жимыIэу лэжьащ. Сыхуейщ сехъуэхъуну, узыншагъэрэ гуфIэгъуэрэ иIэу, и бынхэм, абыхэм я быныжхэм я хъер илъагъуу илъэс куэдкIэ тхуэпсэуну! Бечелов Ильяс, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м и лIыкIуэу щыIэ. КъызыхэкIа лъэпкъым и закъуэкъым зи напщIэр Заурбий политикэшхуэм щыхыхьар икъукIэ зэман хьэлъэт. 90 гъэхэм ди республикэр Iыхьэ-Iыхьэу зэпачыну яужь къихьат, зэдауэ, зэрыукI, лъэпкъхэм я зэхуаку псалъэмакъ къыдэзылъхьэну хуейхэри мащIэтэкъым. Абыхэм зэхакъутэну хущIэкъурт лъэпкъым и лъапIэныгъэ псори, тхыдэм ехьэлIа фэеплъхэр, хабзэ дахэхэр, нэгъуэщIхэри. А зэманым Заурбий, акъыл жан зиIэ, зи псалъэмрэ мурадхэмрэ быдэр, дэIэпыкъуэгъушхуэ хуэхъуу ябгъурыуващ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президент КIуэкIуэ Валерэрэ абы и акъылэгъухэмрэ. Нэхущым къалэнышхуэ зэфIигъэкIащ республикэр къызэтенэн, КъБР-м и Парламентыр зэфIэувэн папщIэ. ЛIы и ныбжьыр къызэрабжыр ищIа Iуэхухэрщ. Республикэм хуищIаращ ар ди цIыхухэм нобэр къыздэсым фIыуэ щIалъагъур, пщIэрэ фIыщIэшхуэрэ щIыхуащIыр. Абы и щыхьэтщ Нэхущыр КъБР-м и Парламентым и УнафэщIу, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутату мызэ-мытIэу зэрыхахар. Си щхьэкIэ апхуэдэ ныбжьэгъуфI сызэриIэм срогуфIэ, срогушхуэ. Ар цIыху къабзэщ, пэжщ. Езгъэлейуэ зыми къыщремыхъу, Заурбий хуэдэ цIыхушхуэхэр къызыхэкIа лъэпкъым и закъуэкъым зи напщIэм телъыр, атIэ къыщалъхуа республикэми Урысей Федерацэми яхуэфэщэн цIыхущ ар! Зумакулов Борис, ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ. Акъыл жан зиIэ политик набдзэгубдзаплъэ Заурбийрэ сэрэ илъэсипщIым нэблагъэкIэ дызэдэлэжьащи, жысIэну сыхуейщ ар цIыху акъылыфIэу, хьэл щабэ зиIэ политикыу зэрыщытыр. КъБР-м и Парламентым РеспубликэмкIэ и Советым и УнафэщI щащIа зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрыр щытыкIэ хьэлъэ итащ. ЦIыхубэр къыщызэщIэхъеям щыгъуэ Заурбии яхэту ди республикэм и Президентым, Правительствэм, Парламентым хэкIыпIэ тэмэмхэр къагъуэтащ, а Iуэхур зэтезыуIэфIэжын унафэхэр къащтащ. Псом хуэмыдэу Парламентым и лэжьыгъэр щхьэпэ щыхъуар 90 гъэхэрщ. Ар зи фIыщIэр а лъэхъэнэм абы щылэжьа политикышхуэхэрщ. КъБР-м и япэ президент КIуэкIуэ Валерэ, спикер Нэхущ Заурбий сымэ, абыхэм къакъуэтхэм я къарукIэ республикэр гъуэгу нэпцIым трагъэхьакъым. «КъБР-м ис лъэпкъхэм я бзэхэм и IуэхукIэ» унафэр Парламентым япэу къищтахэм ящыщщ. Абы ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыбзищ (адыгэбзэ, балъкъэрыбзэ, урысыбзэ) щызокIуэ. А унафэм и фIыгъэкIэ лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъа зэгурымыIуэныгъэр, псалъэмакъыр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Абы къищынэмыщIауэ, КъБР-м и Парламентым шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, экстремизмэр щымыгъэIэным, ди хэкуэгъухэр лъахэм къэшэжыным теухуа унафэхэр къищтащ. Республикэм и Парламентым РеспубликэмкIэ и Советым хэтхэм я Iуэху еплъыкIэхэр щызэтемыхуэ къэхъуми, Заурбий хулъэкIащ депутатхэр зым жиIэр адрейм зэхихыу, зызэхащIыкIыу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм хуэунэтIа Iуэхухэр и зэманым къащтэфу зэтриублэн. Нэхущыр акъыл жан зиIэ политик набдзэгубдзаплъэт, унафэщI Iэзэт. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, абы и Iуэху еплъыкIэм депутатхэр арэзы техъуэрт, къызэдащтэрт. КъызыхэкIа лъэпкъым хуэпэжу, хэкупсэу зэрыщытыр абы и лэжьыгъэм сытым дежи хэплъагъуэрт. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, республикэм щыпсэу псори фIыуэ зэрилъагъум къыхэкIыу, сыт хуэдэ лъэпкъым щыщри тыншу епсэлъэфырт. Зыпэрыта IэнатIэхэр зэрызэрихьар, цIыхухэм яхуищIэмкIэ зимыгъэнщIу, хэкупсэу зэрыщытар къалъытащ ар ДАХ-м и тхьэмадэу щыхахам. Заурбий и махуэшхуэм, илъэс 70 щрикъум, сыхуейт сехъуэхъуну, узыншагъэ, мамырыгъэ, фIыгъуэ щымыщIэу псэуну. Къэбэрдей-Балъкъэрыр апхуэдэ къуэ пажэхэм, зэманым и лIыхъужьхэм зэи щремыщIэ! Федченкэ Людмилэ, УФ-м, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэу щыта, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэм и къуэдзэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27358.txt" }
Я бжыгъэм хохъуэ Тэрч районым и муниципалитетхэм, мэкъумэш, уней подсобнэ хозяйствэхэм я унафэщIхэм, IэщIагъэлIхэм, лэжьакIуэхэм я зэIущIэ Плановскэ къуажэм щекIуэкIащ. Абы щызэпкърахащ мэкъумэш IэнатIэм инновацэ технологиехэр зыубгъуауэ къыщыгъэсэбэпыным, хадэхэкIыу къалэжьым хэгъэхъуэным хуэунэтIауэ дяпэкIэ къапэщытхэр. ХьэщIэхэм хуабэщхэм зыщаплъыхь. ХадэхэкIхэр дяпэкIэ къыщIэпч хъунущ. ЩIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Пэнагуэ Максим къыхигъэщащ абы и лъэныкъуэкIэ я куейм ефIэкIыныгъэ хъарзынэ зэриIэр. Къапщтэмэ, хадэхэкIрэ пхъэщхьэмыщхьэу кърахьэлIэм, ерыскъыуэ къыхащIыкIым куэдкIэ хагъэхъуэфынущ. КъищынэмыщIауэ, теплицэм зезытхэри мащIэкъым. Урожайнэ, Ново-Балъкъэр, Красноармейскэ, Плановскэ, Дей къуажэхэм а Iуэхум хъарзынэу зыщеужь. ЗэIущIэм хэтхэр Жэмкъулей Мурат и мэкъумэшыщIэ-фермер хозяйствэм щыIащ, абы и агробизнес гъэпсыкIэм дихьэхыу зыхагъэгъуэзащ. Сотых 35-рэ хъу хадэм метр 30 я кIыхьагъыу, метри 8 я бгъуагъыу теплици 5 щыгъэуващ. дэтхэнэми хадэхэкI къуэпс 800 зэгъэкIуауэ щыкIэрыпхащ, тхьэмахуэ хуэдиз дэкIмэ, хадэхэкIыр къыщIэчын щIадзэнущ. Районым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Уэдыхь Тимур къызэрыхигъэщамкIэ, экологие и лъэныкъуэкIэ ар нэхъ къабзэщ, губгъуэм зэрыщелэжьым хуэдэу, химиер щIагъуэу ирахьэлIэркъым. Узыфэхэм зэребэн агротехникэ Iэмалхэри егугъуу къагъэсэбэп. ЛПХ-м и унафэщIым зэрыжиIамкIэ, зы илъэсым къриубыдэу теплицэ къэс хадэхэкIыу тонни 5-м нэблагъэ къыщIах. Теплицэ хозяйствэм къарурэ мылъкуу куэд токIуадэ. Зым ику иту сом мини 100-м нэблагъэ хуозэ. Абы хохьэ гъущI пкъыгъуэ зэрыIыгъхэм, зэрагъэхуабэм, псыр хэхауэ зэрыщIагъэхьэм я уасэхэр. Арами, текIуадэр къыкIэлъыкIуэ илъэсым къелэжьыж. Теплицэхэм къабгъурылъщ щIыIэрысу гъэ щIэкIа щIы Iыхьэ мыин. Жэмкъулей Мурат абы хъарбыз трещIэ икIи тонни 10-м нэс ещэ. Пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэри иIэщ. Дэтхэнэ щIы Iыхьэри егугъуу зэрехьэ, фейдэ пылъу къегъэсэбэп, и уней подсобнэ хозяйствэм цIыхуипщIым нэблагъэм IэнатIэ щагъуэт. Пэнагуэ Максим зэхыхьэм хэтхэр къыхуриджащ районым и адрей жылагъуэхэми а щапхъэр къыщагъэсэбэпыну. Махуэ гъунэгъухэм куейм къыщащтэнущ къуажэхэм теплицэ хозяйствэм зэрызыщрагъэужьынум теухуа муниципальнэ программэ хэха. Абы текIуадэм и процент 30-р езы цIыхухэм халъхьэнущ, процент 70-р бюджет зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIынущ. Теплицэ хозяйствэ зезыхьэну хуейхэм я спискэр ягъэхьэзыращ. Ахэр цIыху 500-м ноблагъэ. А Iуэхум районым зыщегъэужьыным, абы цIыхухэр IэнатIэкIэ къыщызэгъэпэщыжыным тещIыхьа программэм КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэр мылъкукIэ хыхьэнущ. Абы теухуа пэублэ зэгурыIуэныгъэхэр щыIэщ. КIуантIэ Замирэ, Тэрч муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27365.txt" }
Москва щыхоплъэ Налшык дащIыхьыну вокзалыщIэм и проектым Иджырей гъущI гъуэгу станцыщIэ «Нартан» станцыр иджыпсту здэщыIэм деж щыщIыным теухуа проектым иджыпсту щытопсэлъыхь УФ-м ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и министерствэм. Фигу къэдгъэкIыжынщ мы Iуэхур республикэм и транспорт комплексым и лэжьыгъэм кърикIуахэм щытепсэлъыхьыжым, КъБР-м и Iэтащхьэм къыхилъхьауэ зэрыщытар. Республикэм ТранспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм федеральнэ ведомствэм иригъэхьа тхылъым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, «Налшык» вокзалым и унэр 1949 гъэм ящIауэ щытащ. Абы лъандэрэ зыхуей хуэзэу, нэгъэсауэ зэи зэрагъэпэщыжакъым. Абы къыдэкIуэу, вокзалым, перронхэм, адрей ухуэныгъэхэм тэмэму зрагъэужьыфынукъым, щIыр къазэремэщIэкIым къыхэкIыу. АтIэми, иджыпсту мыбы мафIэгуу, цIыхуу щызэблэкIыр мащIэкъым. Махуэ къэс КъБР-м и къалащхьэм къокIуэ икIи егъэзэж «Налшык — Москва» мафIэгум. МахуитI къэс зэ нэгъуэщI мафIэгухэм кIэращIэурэ ирагъажьэ «Налшык-Адлер» вагонхэр. Суткэ къэс гъуэгу тоувэ Минвод, Прохладнэ къалэхэм кIуэ мафIэгухэр. А псори къалэм щыдэкIкIэ, къыщыдыхьэкIэ гъущI гъуэгу зэпрыкIыпIэхэм автомашинэ куэд щызэтрехьэ. КъызэрабжамкIэ, апхуэдэ автомашинэ зэтрихьахэр суткэ къэс сыхьэти 2-м нэблагъэкIэ щызэхэтщ Къэбэрдей уэрамым, Идарым и уэрамым, ЕтIуанэ промышленнэ дэкIыпIэм. ИщхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа проектыр щагъэзэщIэну къыхаха щIыпIэр сыт и лъэныкъуэкIи къозэгъ. Ар пэгъунэгъущ ипщэ лъэныкъуэкIэ Осетие Ищхъэрэ-Алание, Ингуш, Шэшэн республикэхэм, ищхъэрэкIэ Минводрэ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ я курортхэм хуэкIуэ «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгум. Апхуэдэу иджыпсту лажьэ «Налшык» аэропортми, «Урысейм и транспорт системэм зегъэужьыныр (2010-2015 гъэхэм)» федеральнэ программэ хэхам ипкъ иткIэ Налшык щаухуэн хуей аэропортыщIэми япэжыжьэкъым. «Налшык — Нарткъалэ», «Налшык -Майскэ» федеральнэ, щIыналъэ автомобиль гъуэгухэри мы щIыпIэм зэрыблэкIым къыхэкIыу, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ, Бахъсэн, Шэрэдж, Аруан, Тэрч, Май, Прохладнэ районхэм щыпсэухэр Налшык дэмыхьэу гъущI гъуэгу вокзалыщIэм екIуэлIэфынущ. КъБР-м ТранспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм вокзалыщIэр щIын щIыхуей щхьэусыгъуэхэр зэхилъхьэжа къудейм къыщымынэу, мы Iуэхум пыщIа лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэрызэфIэгъэкIыпхъэри иубзыхуащ. Къумыкъу Мадинэ, КъБР-м ТранспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27369.txt" }
Министрхэм я лэжьыгъэр яубзыху Налшык лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Урысей Федерацэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Яковлевэ Татьянэ зи пашэ IэщIагъэлI гуп. Абыхэм зрагъэлъэгъуащ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэ щхьэхуэхэр, апхуэдэуи а махуэм ахэр тепсэлъыхьащ IэнатIэм зиужьынымкIэ зэфIагъэкIыпхъэхэм. Хьэсанэ Руслан и псалъэ. Япэу ахэр здэкIуар Сабий унэрщ. Абы и лэжьакIуэхэм я мызакъуэу, ар хэщIапIэ зыхуэхъуа цIыкIухэри гуапэу къаIущIащ яхуеблэгъахэм. Мы IуэхущIапIэр унэ щIахуэхъуам и щхьэусыгъуэр къызыгурымыIуэ сабийхэм яIэ гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмрэ и щыхьэтщ ахэр зыхуей хуэзэу зэраIыгъым. ЦIыкIухэр щыджэгу, щыжей, щышхэ, абыхэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ пэшхэр, нэгъуэщIхэри сыт и лъэныкъуэкIи дагъуэншэу къызэгъэпэщащ. УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэм ахэр псори къызэхиплъыхьа, лэжьакIуэхэм епсэлъылIа иужь жиIащ Сабий унэр 21 лIэщIыгъуэм къигъэув мардэхэм хуэкIуэу зэрыщытыр, узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж и къудамэр хъарзынэу IэмэпсымэфIхэмкIэ къызэрызэгъэпэщар. И къалэным нэсу зэрыпэлъэщыр къыхигъэщри, абы фIыщIэ хуищIащ IуэхущIапIэм и дохутыр нэхъыщхьэ Гусаловэ Людмилэ. Перинатальнэ центрым щалъэгъуахэми арэзы къищIащ ахэр. Мы унэм и бжэIупэм деж щыщIэдзауэ и дэтхэнэ пэшми плIанэпэми щытепщэр къабзагъэрщ. Яковлевэ Татьянэ зи пашэ гупым центрым и къудамэ псори зрагъэлъэгъуащ, лэжьакIуэхэм я Iуэху зыIутым зыщагъэгъуэзащ, анэхэм къыхуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм арэзы къызэрищIыр зэхагъэкIащ. Хьэсанэ Руслан, Шэт Ирмэ, Яковлевэ Татьянэ сымэ зэIущIэ ирагъэкIуэкI. — ГурыIуэгъуэщ мы центрым и унафэщIхэр Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ, зыпэрыт Iуэхур тэмэму гъэзэщIэным я зэфIэкI псори езыхьэлIэ лэжьакIуэ емызэшыжхэу зэрыщытыр, — жиIащ Яковлевэм. — Иджыпсту си нэгу щIэкIахэмрэ зэхэсхахэмрэ наIуэ сщащIащ мы центрым и лэжьакIуэ псоми зыпэрыт IэнатIэр ягуми я псэми къыдыхьэу къызэрыхахар. Апхуэдэу щымытамэ, зыпэрыт Iуэхум зэфIэкIи зыужьыныгъи щаIэнутэкъым. АдэкIэ Яковлевэ Татьянэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан лъэIукIэ зыхуигъэзащ республикэм узыншагъэр хъумэн и IэнатIэм зегъэужьыным хуэунэтIауэ мыгувэу къыхуаутIыпщыну мылъкур мы центрыр иджыпсту нэхъ зыхуэныкъуэ, сабий къалъхухэм зэрыкIэлъыплъын Iэмэпсымэхэр къэщэхуным трагъэкIуэдэну. «ЦIыхухэм я узыншагъэр хъумэныр тэмэму къызэгъэпэща хъуныр республикэм и унафэщIхэм япэ ирагъэщ Iуэхугъуэхэм ящыщщ, — жиIащ абы и жэуапу Хьэсанэ Руслан. — Узыншагъэр хъумэн IэнатIэр къапщтэмэ, псом япэу гулъытэ зыхуэтщIыр сабийхэрщ». ЩIэуэ къызэIуахыну онкологие, перинатальнэ центрхэм ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр зэрыщекIуэкIым кIэлъыплъащ хьэщIэхэр. «Нэхъыщхьэр ухуэныгъэхэр и кIэм зэрынагъэсын мылъкур федеральнэ, республикэ бюджетхэм къыхэкIауэ щыIэщ, — жиIащ УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэм. — Iуэхур къызэпызыудын нэгъуэщI щхьэусыгъуэ щыIэн хуейкъым, абы къыхэкIыуи 2014 гъэм ирихьэлIэу онкологие, перинатальнэ центрхэр иджырей медицинэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ къызэIуфхыну догугъэ». ЗэIущIэм щыпащащ «Синдика» хьэщIэщым. Абы и пэIущIэ пэшышхуэм къыщызэрагъэпэщат «Севкаврентген-Д», «Pharma International Company» заводхэм къыщIагъэкI продукцэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. «Севкаврентген-Д»-м игъэхьэзыр рентген аппаратурэхэр фIагъ лъагэу яIэу зэрыщытыр, абы ирилажьэ дохутырхэми ар тыншу къызэрагъэсэбэпыным хуэщIауэ, сымаджэм дежкIи абы и «бзийхэм» зэран ямыIэу къызэрыщIагъэкIыр къалъытащ хьэщIэхэм. «Pharma International Company» заводыр Налшык илъэситху хъуауэ щолажьэ икIи япэ махуэхэм щегъэжьауэ я продукцэм и фIагъым хагъахъуэурэ йокIуэкI. Мы зэманым заводым хущхъуэ лIэужьыгъуэу 20-м щIигъу къыщIегъэкI. Ахэр яIэрохьэ Урысеймрэ СНГ-м хыхьэ къэралхэмрэ я къалэшхуэхэм щыIэ хущхъуэ щапIэхэм. Хущхъуэхэр зыхуэдэм щыщIэупщIэм, Яковлевэ Татьянэ фIэгъэщIэгъуэн хъуащ «Мистер Тами» фIэщыгъэр зиIэ бгъэныщкIу хъу кIэнфетыр. «КIэнфетым хуэдэу бгъэныщкIу хъууэ къыщIэдгъэкI хущхъуэхэр сабийхэм нэхъ тыншу зрахьэлIэ, — жиIащ заводым и лэжьакIуэ Мэрзей ФатIимэ. — Абыхэм сабийм и Iэпкълъэпкъым зиужьынымкIэ, хэхъуэнымкIэ зыхуэныкъуэ витаминхэмрэ минералхэмрэ хэлъщ. Нэхъыщхьэращи, дэ абыхэм хэтлъхьэркъым, хущхъуэм IэфIагъ езыт, плъыфэ гуэр къезыгъащтэ IэрыщI пкъыгъуэ гуэри». АдэкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ щIыналъэхэм узыншагъэр хъумэнымкIэ я министрхэр зыхэт зэIущIэр къызэIуихащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан. Абы къыхигъэщащ узыншагъэр хъумэн IэнатIэр ефIэкIуэным хуэунэтIауэ Урысей Федерацэм и унафэщIхэм Iуэху пыухыкIахэр къызэрыхалъхьэр, ахэр нэсу гъащIэм хэпща хъунымкIэ УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр хэгъуэгухэм жыджэру зэрадэлажьэр. Хьэсанэр кIэщIу къытеувыIащ республикэм узыншагъэр хъумэн и IэнатIэм щекIуэкI зыужьыныгъэхэм, демографие щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызихъуэжам. «Узыншагъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ щыIэ программэхэр гъэзэщIа зэрыхъур ди нэIэм щIэтщ, — жиIащ Хьэсанэм. — Абы и лъэныкъуэкIэ нэхъыбэу гулъытэ зыхуэтщIыр сабийхэмрэ анэхэмрэ хуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм хэгъэхъуэнырщ». КъыкIэлъыкIуэу министрхэр тепсэлъыхьащ 2020 гъэм нэсыху узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зэрызиужьыну къэрал программэм и проект зэхалъхьам. Ар зыхуэдэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ящIа нэужь, дэтхэнэми и лэжьыгъэр адэкIэ зэрыригъэфIэкIуэным, программэм иджыри къыщыгъэлъэгъуапхъэу къалъытэхэм теухуауэ абыхэм чэнджэщхэр иратащ УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэм. КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ IэнатIэм къыхуаутIыпщ мылъкум зэрыхэхъуар, гъунэгъу хэгъуэгухэм ебгъапщэмэ, ди деж сабий къалъхухэм я бжыгъэр фIыуэ нэхъыбэ зэрыщыхъуар, языныкъуэ медицинэ IуэхущIапIэхэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр иджырей мардэхэм тету зэрыщрагъэкIуэкIар. Гугъуехь зыIууэхэм я гугъу щищIым, Шэтым жиIащ IуэхущIапIэхэр зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмкIэ тэмэму къызэгъэпэщауэ зэрыщымытыр, электроннэ Iэмалхэр иджыри жыджэру къагъэсэбэпу зэремысар, IэщIагъэлIхэр зэрахуримыкъур. ЩIыналъэхэм узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зэрызыщиужьыну программэм хэгъуэгу унафэщIхэм Iэ щIадзын хуейщ накъыгъэм и 1-м ирихьэлIэу, адэкIэ бадзэуэгъуэм и кIэм абы УФ-м и Президентым и Администрацэр хэплъэнурэ, а проектым тету 2020 гъэ пщIондэ лэжьэнущ. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27372.txt" }
Мы махуэхэм Мэлыжьыхьым и 30, гъубж МафIэсгъэункIыфIхэм я махуэщ Джазым и дунейпсо махуэщ 1789 гъэм США-м япэ президентыр щыхахащ. Ар Вашингтон Джорджт. 1945 гъэм Егоров Михаилрэ Кантарие Мелитонрэ ТекIуэныгъэм и Бэракъ плъыжьыр Берлин и Рейхстагым фIа-дзащ. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дзу Руслан и ныбжьыр илъэс 64-рэ ирокъу. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ЩоджэнцIыкIу Нинэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 24-рэ, жэщым градус 14 — 15 щыхъунущ. Накъыгъэм и 1, бэрэжьей Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэщ 1929 гъэм Джылахъстэней псыщIэгъэлъадэр яутIыпщащ. 1941 гъэм Налшык сабий стадион къыщызэIуахащ. Къэрал лэжьакIуэ, КъБР-м и Правительствэм и Iэтащхьэу 1969 — 1984 гъэхэм щыта Къущхьэ КIыщыкъуэ къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу. КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Урыс Мухьэзир и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу. Адыгейм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Гъуэгунокъуэ Мухьэрбий и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу. КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, къэрал лэжьакIуэ Къалэ Владимир и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу. Къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Нэхущ Заурбий и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 25-рэ, жэщым градус 14 — 17 щыхъунущ. Накъыгъэм и 2, махуэку 1920 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ щэбэт щIыхьэху щекIуэкIащ. 1934 гъэм Налшык Пионерхэм я унэ къыщызэIуахащ. 1945 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Берлин къищтащ. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Урыс Хьэталий къызэралъхурэ илъэс 91-рэ ирокъу. «Ленин гъуэгу» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта ТIажь Пётр къызэралъхурэ илъэс 83-рэ ирокъу. Къэрал лэжьакIуэ, УФ-м и Къэзыбж палатэм и япэ унафэщIу щыта, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Къэрмокъуэ Хьэчим и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 24-рэ, жэщым градус 16 — 20 щыхъунущ. Накъыгъэм и 3, мэрем Печатыр хуиту щытыным и дунейпсо махуэщ Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 17 — 20, жэщым градус 14 — 16 щыхъунущ. Накъыгъэм и 4, щэбэт 1959 гъэм Налшык газ бжьамийкIэ къашэу щIадзащ. 2010 гъэм УФ-м и Президентым и УказкIэ Налшык «Дзэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Адыгэ узэщIакIуэ, «Шэрджэсыбзэм и букварыр» зэхэзылъхьа Бырсей Умар къызэралъхурэ илъэс 206-рэ ирокъу. Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м щIыхь зиIэ и экономист Щауэжь Хьэсэнбий и ныбжьыр илъэс 57-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 — 25-рэ, жэщым градус 15 — 18 щыхъунущ. Накъыгъэм и 5, тхьэмахуэ Европэм и махуэщ 1836 гъэм Европэм щыяпэу Бельгием гъущI гъуэгу щаутIыпщащ. 1945 гъэм советыдзэхэм Даниемрэ Нидерландхэмрэ хуит къащIыжащ. 1949 гъэм Лондон Iэ щытрадзащ Европэм и Советым и уставым. Адыгей усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Пэрэныкъуэ Мурат къызэ-ралъхурэ илъэси 101-рэ ирокъу. КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретару илъэс куэдкIэ щыта Апажэ Назир къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къардэн Iэбубэ и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу. Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-м и академик, Адыгейм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Апышэ Абрэдж и ныбжьыр илъэс 76-рэ ирокъу. КъБР-м и цIыхубэ дохутыр Бахъсэн Хьэмэдэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу. Философие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор Нэхущ Владимир и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу. УсакIуэ, ЩIДАА-м и академик, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу. Адыгейм и цIыхубэ сурэтыщI ПэтIуащIэ Феликс и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу. Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛIыс Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэмыку Жаннэ къыщалъхуа махуэщ. Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актер Мысост Вадим и ныбжьыр илъэс 46-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 25-рэ, жэщым градус 16 — 18 щыхъунущ. Накъыгъэм и 6, блыщхьэ 1939 гъэм Налшык шыгъэжапIэ къыщызэIуахащ. Адыгэ тхыдэдж, узэщIакIуэ Долэт-Джэрий СулътIан къызэралъхурэ илъэси 138-рэ ирокъу. Адыгей философ, еджагъэшхуэ, социологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Хьэгъур Айтэч и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу. Абазэ тхакIуэ, КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Мхъыцэ Чэрим и ныбжьыр илъэс 64-рэ ирокъу. Химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Уэрэн Татьянэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх мащIэ къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 25-рэ, жэщым градус 16 — 18 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27377.txt" }
Сыт и лъэныкъуэкIи ПщIэ зыхуэтщI гуащIэрыпсэухэ! Къэбэрдей-Балъкъэрым и Профсоюзхэм я федерацэм къыбгъэдэкIыу Накъыгъэм и 1 махуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу! Профсоюзхэм я дежкIэ ар гуащIэрыпсэухэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ. Профсоюз зэщIэхъееныгъэм и хабзэхэр диIыгъыу, лэжьакIуэхэм я хуитыныгъэхэмрэ я сэбэп зыхэлъхэмрэ пхигъэкIыу, Урысейм и Профсоюз щхьэхуитхэм я федерацэм и исполкомым «Хуэфащэ лэжьыгъэ — хуэфащэ лэжьапщIэ!» къыхуеджэныгъэм щIэту накъыгъэм и 1-м профсоюз акцэхэр, пэкIухэр иригъэкIуэкIыну унафэ къищтащ. Профсоюзхэм я дунейпсо конфедерацэм и къыхуеджэныгъэкIэ ар мы гъэм къэрали 140-м щагъэлъапIэ. КъБР-м и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм а Iуэхугъуэхэр деIыгъ. Къэралым и гуащIэрыпсэухэр къыдэкIынущ я социально-лэжьыгъэ хуитыныгъэхэр, экономикэ и лъэныкъуэкIэ я сэбэп зыхэлъхэр хъумэныр къагъэуву: яхуэфащэ лэжьапщIэ, IэнатIэ тэмэм, лэжьыгъэ шынагъуэншэ, лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэр къызэрагъэпэщынымкIэ, профсоюз хуитыныгъэхэм я хабзэхэр хуагъэзэщIэнымкIэ яIэ Iэмалхэр къагъэсэбэпыным хущIэкъуу. МахуэшхуэмкIэ дынывохъуэхъу, ныбжьэгъу лъапIэхэ! Накъыгъэм и 1-м екIуэкIыну Iуэхугъуэхэм фыхэтыну фыкъыдогъэблагъэ. Сыт и лъэныкъуэкIи зывузэщIыну, фефIэкIуэну Iэмал къывэзытын гъащIэ узыншэ, фи лэжьыгъэм хуэфащэ гулъытэ фиIэну ди гуапэщ. Ахэр зыIэрыбгъэхьэн папщIэ, хьэлэлу улэжьэным къыдэкIуэу, уи хуитыныгъэхэр пхъумэжыфын хуейщ! КъБР-м и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27384.txt" }
ЛIэщIыгъуэхэм къадекIуэкI И мыхьэнэр зэм яIэту, зэм ягъэлъахъшэу илъэс куэд хъуауэ дунейм щагъэлъапIэ ГуащIэрыпсэухэм я зэакъылэгъуныгъэм и махуэр, иджы зэрыжаIэщи, Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэр. Дэтхэнэ Iуэхум хуэдэуи абы, зэрыгурыIуэгъуэщи, щIэдзапIэ иIэщ. 1886 гъэм накъыгъэм и 1-м США-мрэ Канадэмрэ я уэрамхэм дыхьащ я гъащIэм хэлъ зэхуэмыдэныгъэмрэ къыкIэлъызэрахьэ залымыгъэмрэ зыхуэмыхьыж гуащIэрыпсэу минхэр. Абыхэм къагъэувырт я гуащIэдэкIым хуэфэщэн улахуэ иратыну, я лэжьэгъуэ зэманри сыхьэти 8-м хуагъэкIуэну. ЩIыпIэ куэдым зэрызекъуэхэр къыщыхъуащ. Мылъкушхуэ зыбгъэдэлъхэм сыт и лъэныкъуэкIи къащхьэщыж властым дичыхыну и мурадтэкъым. Псом хуэмыдэу щызэпэщIэуващ зи фэр фIыцIэ цIыхухэр куэду щыпсэу Чикагэ. Абы лъы щагъэжащ: полицэм, сабийхэри цIыхубзхэри яхэту, зэтриукIащ зи мыарэзыныгъэр къэзыгъэлъагъуэу уэрамхэм къыдэхьа цIыхухэр. Апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэ зэрызэрахьар дуней псом щызэлъащIысащ. А зэманым псэуа еджагъэшхуэ, тхакIуэ, узэщIакIуэ цIэрыIуэ куэдым жаIащ ар ягу зэрытемыхуэр. 1889 гъэм II Интернационалым накъыгъэм и 1-р игъэуващ лажьэншэу хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж махуэу. ИужькIэ ар хуэкIуащ ГуащIэрыпсэухэм я зэакъылэгъуныгъэм и дунейпсо махуэм. ЦIыхухэр хуабжьу щыдакъузэ Урысей империеми а махуэр щагъэлъапIэрт, лэжьакIуэбэр щIыпIэ-щIыпIэхэм щэхуу щызэхуэсурэ. Полицэр хъийм зэрикIам щхьэкIи къагъанэртэкъым. Япэ дыдэу хуиту, пэрыуэншэу накъыгъэм и 1-р щагъэлъэпIар Октябрь революцэр текIуа иужькIэщ. А зэманым гъуэгу игъуэтакIэт «Фабрикэхэмрэ заводхэмрэ рабочэхэм, щIыр мэкъумэшыщIэхэм етын!» къыхуеджэныгъэм. Абы лъандэрэ псы куэд ежэхащ, куэдым зихъуэжащ. Накъыгъэм и 1-р Совет къэрал абрагъуэм и махуэшхуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зы хъуащ. Илъэс къэс а махуэм Москва Дзэм и парад, щIыналъэ псоми пэкIухэр щрагъэкIуэкIырт. Мы гуфIэгъуэм апхуэдизу лъабжьэшхуэ игъуэтати, ар къызэтенащ СССР-ри социалист ухуэкIэри лъэлъэжа и ужькIи. Ар къэнащ цIыхухэр псэукIэкIэ зэхуэдэн зэрыхуейм и дамыгъэу, абы и гъуазэу. Пэжщ, мы зэманым Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэм къэувыр мащIэщ, «Къэрал псоми я пролетархэр, фызэгухьэ!» жаIэу къыхураджэу. Дэ дызыщIапIыкIа лъапIэныгъэхэри щыIэжкъым, езы пролетариатым хуэдэу. Ар щхьэусыгъуэ куэдым къыхэкIащ. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэр къэдгъэлъэгъуэнщ. Псом япэу къыхэдгъэщынщ дуней псор зыгъэзджызджа Октябрь революцэм зи сэбэп хэлъар США-мрэ КъухьэпIэ Европэмрэ я гуащIэрыпсэухэр зэрыарар. Апхуэдэ дыдэу езыхэм я дежи цIыхухэм зыкъыщаIэтыным щышынэри, абыхэм хьэкIэкхъуэкIагъэ зыхэлъ хабзэхэр щагъэкIуэдыжащ. Властхэм я гулъытэр хуагъэзащ цIыхухэм зэхуэдэ хуитыныгъэ яIэным, ахэр зыхуейр ягъуэту псэуным. ЖыпIэ хъунущ ар абыхэм къайхъулIауэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, IэнатIэ пэрыт дэтхэнэ американми и лэжьэгъуэ зы сыхьэтым доллари 8 нэхърэ нэхъ мащIэ ират хъунукъым. КъухьэпIэ Европэми щытыкIэр щыапхуэдэщ. КIэщIу жыпIэмэ, жьыри щIэри щыпсэун папщIэ, абыхэм Iэмал псори щыIэщ. Зэм Граждан зауэм, зэм Хэку зауэшхуэм, зэми зэхъуэкIыныгъэ мышыухэм я Iэужьхэр гъэкIуэдыжыным яужь ита ди цIыхухэр псэукIэ и лъэныкъуэкIэ къэрал зызыужьахэм куэдкIэ къакIэрыхуащ. АрщхьэкIэ, урысейхэр сыт щыгъуи фIым щыгугъыу, абы пэплъэу къогъуэгурыкIуэ. Абыхэм я фIэщ мэхъу апхуэдиз лъэщагъ зыбгъэдэлъ, къулеигъэ ин дыдэхэр зиIэ ди къэралыр зэгуэр лъэ быдэкIэ зэрыувынур. Мис а гугъэфIхэм ехьэлIащ Накъыгъэм и 1-м дгъэлъапIэ махуэшхуэри. ШАЛ Мухьэмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27386.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ и нэтынхэр 1 КъБР «Мир» канал Гъубж, накъыгъэм и 7 7.00 Нобэ радиом и махуэщ. «Лъэхъэнэм и джакIуэ» 7.30 ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дыщэ вагъуэхэр». Совет Союзым и ЛIыхъужь Диденкэ Николай (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «ЛъэужьыфI». «СтIол хъурей». Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, жылагъуэ-политикэ лэжьакIуэ Хутуев Хьэнэфий къызэралъхурэ илъэс 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.35 «Узыншагъэ» (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.05 «Уи теплъэр». Налшык къалэ дэт скульптурэ фэеплъхэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.35 Сабийхэм папщIэ спорт-нэгузыужь программэ (12+) 18.00 КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Амирамов Ефрем и концерт. КIэухыр (12+) 18.40 «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дыщэ вагъуэхэр». Совет Союзым и ЛIыхъужь Оганьянц Грант (12+) 19.30 «Макъ». КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Рахаевэ ФатIимэ теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.00 Радиом и махуэм ирихьэлIэу. «Псалъэр Налшыкщ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.30 «Ислъэмей» къэфакIуэ гупым и концерт. Адыгэ Республикэ. ПэщIэдзэр (12+) 21.15 «Перспектива — 2013». ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я дунейпсо конференц (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, накъыгъэм и 8 7.00 ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дыщэ вагъуэхэр». Совет Союзым и ЛIыхъужь Тамбий Владимир (12+) 7.20 ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу. «Тщымыгъупщэн папщIэ». Зауэ лIыхъужьыгъэм и музейуэ Шэрэдж куейм щыIэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Сэ фIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.30 ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу. «Фэеплъ». Скульптор ТхьэкIумащIэ Михаил и творчествэм зауэ лъэхъэнэр къызэрыхэщыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.50 «ТекIуэныгъэр къэзыхьахэр». Хэку зауэшхуэм и ветеран Шакъ Сыхьэт (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.15 ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу. «Авиаторхэм я марш». Телефильм (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 Хэку зауэшхуэм теухуа уэрэдхэр 19.30 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.00 ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу. «Зыри тщыгъупщакъым» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.25 «Ислъэмей» къэфакIуэ гупым и концерт. Адыгэ Республикэ. КIэухыр (12+) 21.10 «НэхъыфI псори — сабийхэм» (12+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, накъыгъэм и 9 Нобэ ТекIуэныгъэ Иным и махуэщ 7.00 «Фэеплъ». КъБКъУ-м и «АмикС» гупыр 7.25 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къубатий (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Жьэгу». Хэку зауэшхуэм хэта Кучуков Мэхьмуд (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.30 «ЩоджэнцIыкIу Алий. УсакIуэм и гъащIэмрэ гуузу зэрыкIуэдамрэ». Документальнэ фильм (16+) 8.50 «ТекIуэныгъэр къэзыхьахэр». Сэбэншы Мусэбий (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.05 «Блокадэм теухуа тхылъым» дыкъоджэ». Кинорежиссер Сокъур Александр и фильм (12+) 16.15 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ». Хэку зауэшхуэм хэта актерхэм ятеухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 16.45 «ГъащIэ гъуэгуанэ». Хэку зауэшхуэм и ветеран, композитор Къардэн Хьэсэн теухуа телеочерк (адыгэбзэкIэ) (16+) 17.20 «Хэку зауэшхуэм теухуа уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.55 Совет Союзым и ЛIыхъужь Байсултанов Алим теухуауэ (12+) 18.20 «Фэеплъ». Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Балъкъыз Хьэсэнбийрэ Темыркъан Ануаррэ (12+) 18.40 «ТекIуэныгъэм и махуэ». Концерт (12+) 18.55 ДакъикъэкIэ шыму 19.00 КIыщокъуэ Алимрэ Мокаев Магомедрэ зауэм теухуауэ 19.20 Хэку зауэшхуэм и ветеран Залиханов Магомет (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.50 «Джэрпэджэж». Тележурнал (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.25 «КъэкIуэнур зейхэр». Хэкур фIыуэ ялъагъуу гъэсэным теухуауэ. Бахъсэн къалэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.45 Хэку зауэшхуэм и ветеран Къатинэ МуIэзин теухуауэ (12+) 21.15 «Тщыгъупщакъым…». 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм и зауэлIхэр 22.05 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, накъыгъэм и 10 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу». КъБКъУ-м Балъкъэр щэнхабзэмкIэ центрым и унафэщI Тюбеевэ Светланэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Сценэм къыхуигъэщIа». КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Щэрмэт Людмилэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 8.30 «ДжэгуакIуэ» уэрэдымрэ къафэмрэ и ансамблым и концерт (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.15 «Анэм игу». Туменовэ Къаний теухуауэ (12+) 9.30 «Чемпионхэр». Бгы туризмэмкIэ СССР-м спортым и мастер Мамыщ Кашиф (12+) 17.25 Мультфильм 17.45 «Меркурий» театрым и концерт (12+) 18.30 «Мыхъур». Тележурнал (16+) 19.15 «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дыщэ вагъуэхэр». Совет Союзым и ЛIыхъужь Агеев Федор (12+) 19.25 «Ди щIэин». КъБР-м и цIыхубэ артист Отаров Омар и фэеплъу (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.05 «Псом япэр». Адыгэбзэ езыгъэджхэм я зэгухьэныгъэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.40 «ГъащIэр зыщ». УФ-м и цIыхубэ артист Кучуков Магомед теухуа документальнэ фильм (16+) 21.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Щэбэт, накъыгъэм и 11 7.00 Мультфильм (6+) 7.20 «Дызэгъусэщ». ЩIалэгъуалэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.00 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.15 «Ди псэлъэгъухэр». ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актер Мысост Вадим (адыгэбзэкIэ) (16+) 8.50 «Iуащхьэмахуэ лъапэ-2013». Бгы-лыжэ макъамэ фестивалым къратыкI репортаж (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.10 «Ретроспектива». «В конце зимы». Художественный фильм 17.30 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 17.50 «Хьэлэл фхухъу!..» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.10 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 18.25 «Пшынауэ». УФ-м и цIыхубэ артисткэ Къашыргъэ КIурацэ и творчествэм теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.05 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 19.20 «Зэманымрэ цIыхумрэ». «Минги тау» журналым и редактор нэхъыщхьэ Додуев Аскэр (12+) 19.50 «Чемпионхэр». СССР-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ ЗекIуэрей Николай 20.15 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 12 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «IэщIагъэлI». Балъкъэр лъэпкъ шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэм хуэIэкIуэлъакIуэ Башиев Мурадин (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.35 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 7.50 «Макъ жьгърухэр». Тэрч макъамэ еджапIэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.15 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 8.30 «ЦIыху хэкупсэ, жылагъуэ лэжьакIуэ». Тыркуин Анатолэ и фэеплъ пшыхь (Мэздэгу къалэ) (16+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 «Сурэтхэм къаIуэтэж» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.25 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.55 «Дыщэ пхъуантэ». Сэбийхэм папщIэ нэгузегъэужь программэ (адыгэбзэкIэ) (6+) 19.20 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.40 «Лермонтовыр Кавказым зэрыщыIар». Литературэ-макъамэ композицэ (12+) 20.10 «КъегъэлакIуэм и тхыгъэхэр». УФ-м щIыхь зиIэ и къегъэлакIуэ Клестов Виталий (16+) 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Гъубж, накъыгъэм и 7 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Адэхэмрэ бынхэмрэ» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр Бэрэжьей, накъыгъэм и 8 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр Махуэку, накъыгъэм и 9 11.00 Махуэшхуэ нэтын КъБР-м щыхъыбархэр Мэрем, накъыгъэм и 10 Лажьэркъым Щэбэт, накъыгъэм и 11 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIахэр» 10.35 «Узыншагъэм и щIыналъэ» 11.10 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 12 Лажьэркъым ВГТР-м и радио Гъубж, накъыгъэм и 7 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 Къардэн Бубэ. «ТIасхъэщIэх» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Ди зэхуэзэхэр». Радиом и ветеран Гаев М. теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Къущхьэунэ Алексей. «Насыпым и нал». 13.25 — 14.00 Нобэ радиом и махуэщ Бэрэжьей, накъыгъэм и 8 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 Гъэунэ Борис. «Чыщбалъкъ аузыр» (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Топхэр щыгъуагъуэм». Хэку зауэшхуэм и ветеран Геляхов М. и фэеплъу (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Щхьэщэ яхуэтщIынщ а илъэс гугъухэм» (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 14.00 «Фэр папщIэ, ветеранхэ». Концерт Махуэку, накъыгъэм и 9 Лажьэркъым Мэрем, накъыгъэм и 10 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Дудар Хьэутий. «Мэзым къыщыхъуар» таурыхъыр (адыгэбзэкIэ). 13.25 — 13.45 «Сэлэт шыуанжьей». Нало Ахъмэдхъан и рассказ (адыгэбзэкIэ). 13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъа-щIэ». Щэбэт, накъыгъэм и 11 10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр». 12.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 Щэбэт концерт. Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 12 10.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу» ХъыбарыщIэхэр. 10.25 — 10.45 Нобэ медсестрахэм я махуэщ. КъБР-м и радио Гъубж, накъыгъэм и 7 Радиом и махуэщ «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.48/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Тхыдэм и макъ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (адыгэбзэкIэ). 9.25/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Псалъэр Налшыкщ» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.35 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, накъыгъэм и 8 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «Адэжь щIыналъэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05/ 14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, накъыгъэм и 9 ТекIуэныгъэм и махуэщ «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ кIэщIу» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «ТекIуэныгъэм и марш» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Дэ дощIэж…» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 «Си хэку, си уэрэд» (адыгэбзэкIэ). 10.45/11.00 «Зауэ зэманым яусахэр» (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Хэкур къыщоджам и деж» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «ТекIуэныгъэм и махуэм» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «ЩIым гъащIэ щыIэн папщIэ» (урысыбзэкIэ). 12.25/18.25 «Вальс расставанья» (урысыбзэкIэ). 14.05/14.35 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, накъыгъэм и 10 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «ЦIыхубэ уэрэджыIакIуэ». Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист Отаров Омар (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэ упщIэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/16.35 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, накъыгъэм и 11 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Илъхьэм» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр» (урысыбзэкIэ). 10.00/10.30 «Дэрэжэгъуэ» Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.35 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00/14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 12 «ХъыбарыщIэхэр». Тхьэмахуэм къэхъуахэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 8.00, 10.00, 12.00, 14.00, 15.00, 17.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ). 10.40/10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35/14.00 «Уэрэд, къызэрыфэ пшыналъэ цIэрыIуэхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27391.txt" }
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым мы спектаклхэм фрегъэблагъэ Накъыгъэм и 12-м: Куни Рэй «ЦIыхухъур, цIыхубзыр, хьэдэ мыцIыхур…» (комедие) КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэмыку Жаннэ и бенефис накъыгъэм и 16-м: Николаи Альдо «Лъагъуныгъэм текIуэдар…» (трагикомедие) Театрым и художественнэ унафэщIыр Пащты Иринэщ. ЩыщIидзэр сыхьэт 19-рщ. УпщIэ зиIэхэр мы телефонхэмкIэ фыпсалъэ хъунущ: 42-64-94, 42-28-58
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27394.txt" }
Гуащэ театрыр зи «хьэщIэнухэр» ТекIуэныгъэ Иным и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу, республикэм и Гуащэ театрым мы спектаклхэр щигъэлъэгъуэнущ сабий ныкъуэдыкъуэхэр щапI интернатхэм: Накъыгъэм и 7-м — «Психологие, социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ республикэ центр» IуэхущIапIэм утыку къыщрахьэнущ Белов Сергей и «Проделки хитрого попугая» спектаклыр. ЩыщIидзэр сыхьэти 10.00-рщ. Накъыгъэм и 15-м — Сабий сымаджэхэм я «Эдельвейс» клубым — Юнгер Бела и «Золотая лилия» спектаклыр. ЩыщIидзэр сыхьэт 14.00-рщ. Накъыгъэм и 20-м — Шэджэм къалэм щыIэ «Республикэ психоневрологие интернат» IуэхущIапIэм — Юнгер Бела и «Белая роза» спектаклыр. ЩыщIидзэр сыхьэти 10.00-рщ. Накъыгъэм и 22-м — «Балигъ мыхъуахэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Нэмыс» республикэ центр» — Маслов Виктор и «Сказка странствующего факира». ЩыщIидзэр сыхьэт 15-рэ дакъикъэ 30-рщ. Накъыгъэм и 24-м — Налшык къалэм и школ-интернат №3-м — Орлов Владимир и «Золотой цыпленок» спектаклыр. ЩыщIидзэр сыхьэт 14.00-рщ. ГЕРАСИМОВЭ Риммэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27395.txt" }
АфIэунэ Раисэ ТIулэ и пхъур И ныбжьыр илъэс 82-м хыхьауэ дунейм ехыжащ республикэм и журналист нэхъыжь дыдэхэм ящыщ зы АфIэунэ Раисэ ТIулэ и пхъур. А хъыбар гуауэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэр игъэщхьэжэгъуащ. АфIэунэ Раисэ журналист IэщIагъэм ирилажьэу щIидзащ 1960 гъэм. Абы щегъэжьауэ ар республикэм и электрон цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм быдэу япыщIауэ къекIуэкIащ. Москва дэт къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетыр къиуха нэужь, ар КъБР-м и телевиденэм и редактору ягъэуващ. ИлъэсиплI дэкIри радиом щылэжьэну хуагъэлъэгъуащ икIи а IэнатIэм АфIэунэр илъэс плIыщIкIэ пэрытащ. А зэманым абы и нэгу щIэкIар, радиом едаIуэхэм яхуиIуэтар къыпхуэмылъытэну куэд мэхъу. Къапщтэмэ, зэман кIыхькIэ къатахэм ящыщщ «Iэдииху», «Жьэгупащхьэ» радиожурналхэр. АфIэунэ Раисэ радиом едаIуэхэр къыдихьэхыфырт дэтхэнэми и гум къипсэлъыкIын зэрыхузэфIэкIым къыхэкIыу. Ар радиом едаIуэ унагъуэхэм я ныбжьэгъут, гуапэу ирагъэблагъэ я хьэщIэт. Республикэм и къуажэхэм зэIущIэхэр, радиоконференцхэр къыщызэрагъэпэщамэ, зи псалъэр эфирым куэдрэ щызэхах журналист цIэрыIуэм хуэзэну куэд къызэхуэсырт. 1977 гъэм АфIэунэ Раисэ къыфIащащ «РСФСР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. 1992 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр радиом игъэхьэзыру хуежьащ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэухэм папщIэ программэхэр. Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ а Iуэхур и пщэ иралъхьащ редактор АфIэунэ Раисэ. А зэманым радиом едаIуэхэм я бжыгъэр нэрылъагъуу нэхъыбэ хъуащ. Адыгэбзэ къызыгурыIуэ ди лъэпкъэгъуу нэгъуэщI къэралхэм щыпсэухэм папщIэ АфIэунэ Раисэ и макъыр ахэр я адэжь хэкум пызыщIэ Iэмалт. Лъахэ пхыдзахэм щыIэми псэкIэ ди гъунэгъуу щытхэм папщIэ журналистым псалъэ тэмэмхэр къигъуэтыфырт ди щIыналъэм, зэрыщыту Кавказым щекIуэкI Iуэхухэм щыгъуазэ ищIын папщIэ. 2004 гъэм щегъэжьауэ АфIэунэ Раисэ пенсэм щыIащ, ауэ лэжьэн зэи зэпигъэуакъым, IуэхущIэхэр, проектыщIэхэр зэхуигъэхъуу екIуэкIащ. Абы емызэшыжу щIалэгъуалэр щыгъуазэ ищIырт езым и зэфIэкIым, щIэныгъэм. Сыт щыгъуи хуэдэу, мэлыжьыхьым и 2-м АфIэунэ Раисэ къыщалъхуа махуэмкIэ цIыху куэд ехъуэхъуащ, ауэ махуэ бжыгъэ фIэкI дэмыкIыу накъыгъэм дунейм ехыжащ. АфIэунэ Раисэ ТIулэ и пхъум и цIэмрэ и дуней тетыкIэу щытамрэ зэи ящыгъупщэнкъым ар зыцIыхуу, абы пщIэ хуэзыщIу щытахэм. КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27398.txt" }
КIэух джэгугъуэхэр Япэ дивизион ЩэщIрэ езанэ джэгугъуэ Накъыгъэм и 7 (гъубж) «Волгарь» (Астрахань) — «Ротор» (Волгоград) «Шинник» (Ярославль) — «Нефтехимик» (Нижнекамск) «Петротрест» (Санкт-Петербург) — «Салют» (Белгород) Накъыгъэм и 10 (мэрем) «СКА-Энергия» (Хабаровск) — «Торпедо» (Мэзкуу) (тIощIрэ етхуанэ джэгугъуэм щыщщ) ЩэщIрэ етIуанэ джэгугъуэ Накъыгъэм и 13 (блыщхьэ) «Ротор» — «Салют» «Уфа» (Уфа) — «Металлург-Кузбасс» (Новокузнецк) «Нефтехимик» — «Урал» (Свердлов область) «Шинник» — «Петротрест» Накъыгъэм и 14 (гъубж) «Томь» (Томск) — «Волгарь» «Сибирь» (Новосибирск) — «Торпедо» «Химки» (Химки) -«Спартак-Налшык» «Балтика» (Калинин-град) — «СКА-Энергия» ЩэщIрэ ещанэ джэгугъуэ Накъыгъэм и 19 (тхьэмахуэ) «Урал» — «Шинник» «Енисей» — «Нефтехимик» «СКА-Энергия» — «Уфа» «Спартак-Налшык» — «Балтика» Накъыгъэм и 20 (блыщхьэ) «Торпедо» — «Химки» «Волгарь» — «Сибирь» «Салют» — «Томь» «Петротрест» — «Ротор» ЩэщIрэ еплIанэ джэгугъуэ Накъыгъэм и 25 (щэбэт) «Томь» — «Ротор» «Сибирь» — «Салют» «Химки» — «Волгарь» «Балтика» — «Торпедо» «Уфа» — «Спартак-Налшык» «Нефтехимик» — «Металлург-Кузбасс» «Шинник» — «Енисей» «Петротрест» — «Урал»
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27401.txt" }
ТекIуэныгъэр яхуэмыхъумами, бжыгъэм арэзы къещI «Томь» (Томск) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 1:1 (0:1). Томск. «Труд» стадион. Мэлыжьыхьым и 29-м. ЦIыху 5100-рэ еп-лъащ. Судьяхэр: Иванов (Дон Iус Ростов), Харламов (Тобольск), Петросян (Бронницы) «Томь»: Вашек, Омельянчук, Аравин, Бендзь, Черевкэ, Нагибин (Голышев, 46), Горбанец (Сорокин, 68), Зотов, Башкиров (Николов, 39), Хазов (Баженов, 81), Касьян. «Спартак-Налшык»: Коченков, Засеев, Тимошин (Суслов, 69), Овсиенкэ, Багаев, Чеботару, Коронов, Концедалов, Гуэщокъуэ (Болэ, 74), Аверьянов, Медведев (Сирадзе, 65). Топхэр дагъэкIащ: Медведевым, 22 (0:1). Омельянчук, 77 (1:1). Дагъуэ хуащIащ: Бендзь, Башкировым, Засеевым, Медведевым, Николовым, Овсиенкэ. Джэгум къыхахуащ: Бен-дзрэ Овсиенкэрэ. Премьер-лигэм хыхьэным зымащIэ дыдэ фIэкIа къызыхуэмынэжа «Томь»-м мэлыжьыхьым и 29-м хуеблэгъат абы щIэбэнынухэм яхыхьэну щIэхъуэпс «Спартак-Налшыкыр». Я мурадыр пасэу къайхъулIэн папщIэ хэгъэрейхэм ди щIалэхэр хагъэщIэн хуейт. АрщхьэкIэ мы гъэм зыри къызытемыкIуэфа налшыкдэсхэри Iэ пцIанэкIэ къыпхуэщтэнутэкъым. «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм Томск къалэм куэдрэ зыщагъэхьэщIакъым. Япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ абыхэм утыкур яубыдащ икIи зы ебгъэрыкIуэныгъэм адрейр кIэлъагъакIуэу хуежьащ. Апхуэдэ щIэдзэкIэм «Томь»-р зыкIи хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ. Абы зихъумэжыным и къару псори хухихын хуей хъуащ, арщхьэкIэ ар къызэрехъулIащэ щыIэтэкъым. Щымыхъужыххэм и деж хэгъэрейхэм футбол хабзэр къызэпаудырт, абыкIэ судьям дагъуэ зыхурагъэщIу. Налшыкдэсхэм я тепщэныгъэм Iэмал имыIэу ехъулIэныгъэ къахуихьын хуейт. ИкIи абы куэдрэ зыпигъэплъакъым. 22-нэ дакъикъэм Багаевыр ижьрабгъумкIэ кIуэцIрыжу къыхита топым Короновым мащIэу зригъэгъэзащ икIи Медведевым зидзри, ар гъуэм дигъэхьащ. 1:0-у япэ зэрищам «Спартак-Налшыкыр» нэхъри тригъэгушхуащ. Ар кIуэ пэтми къызэщIэплъэ зэпытт. ИкIи къызэрагъэпэща ебгъэры-кIуэныгъэ лъэщхэм ящыщ зым ди щIалэхэм топ щыдагъэкIыфатэмэ, шэч хэлътэкъым ахэр мы зэIущIэм зэрыщытекIуэнум. Псом хуэмыдэу абы аргуэру пэгъунэгъуащ Медведевыр — ар зэуа топыр зымащIэкIэ гъуэм хуэзакъым. Я Iуэхур тэмэму зэрекIуэкIым налшыкдэсхэр игъэбэлэрыгъащ. Абыхэм къащыхъуащ текIуэныгъэр я Iэрылъхьэу. Псом хуэмыдэу ар хьэкъыу япхыкIащ етIуанэ Iыхьэр зэрыщIадзэжу «Томь»-р зы цIыхукIэ нэхъ мащIэу къызэрынам: Аверьяновым и ебгъэрыкIуэныгъэр хабзэр къызэпиуду фIэкIа Бендзь къыхузэтегъэувыIакъым икIи етIуанэу дагъуэ къыхуищIри, судьям ар джэгум къыхихуащ. АдэкIэ къэхъуар къэIуэтэгъуейщ. Нэхъ мащIэу къэна хэгъэрейхэр хуабжьу жыджэр къэхъуащ, дыдейхэр етIысэхащ. Иджы зыр адрейм къыкIэлъыкIуэу «Томь»-р ди гъуэм къебгъэрыкIуэрт. «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэтетымрэ гъуащхьэхъумэхэмрэ я къару къызэрихькIэ ахэр зэтраIыгъэрт. АрщхьэкIэ абыхэм я къарури зэгуэр яухынтэкъэ? 77-нэ дакъикъэм налшыкдэсхэм яфIэкIуэда топыр хэгъэрейхэм псынщIэу къапхъуатэри, зрачащ. НапIэзыпIэм ар Омельянчук Iэрагъэхьащ икIи «Томь»-м и капитаныр лъэщу зэреуам Коченковыр пэлъэщакъым. БжыгъэкIэ къебэкI и хьэрхуэрэгъум топ зэрыхудагъэкIыфам томскдэсхэм къаруущIэ къахилъхьащ. Ахэр увыIэгъуэ имыIэу ебгъэрыкIуэрт. Абыхэм ящыщ зыр къыщызэпиудым Овсиенкэ футбол хабзэр къызэпиудри, джэгум къыхахуащ. Абы ипэжкIэ фэбжь хьэлъэ игъуэтри, «Спартак-Налшыкым» и нэгъуэщI гъуащхьэхъумэ Тимошиныр яхъуэжын хуей хъуащ (45-нэ дакъикъэм абы ди гъуэм кIуэ топым къригъэгъэзат). Къэнэжа дакъикъэ зытхухым налшыкдэсхэм ерыщу захъумэжащ. Абыхэм я гъуэм афIэкIа топ къыдагъэкIакъым икIи зэрытемыгъэкIуауэ джэгур иухащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ «Томь»-р премьер-лигэм щыкIуэну пIалъэр, зы тхьэмахуэкIэ нэхъ мыхъуми, ягъэIэпхъуащ. «Спартак-Налшыкми» ещанэ увыпIэм зыщигъэбыдащ, и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ «СКА-Энергия»-р Новосибирск къызэрыщыхагъэщIам и фIыгъэкIэ. Иджы фыщыдгъэгъуэзэнщ япэ дивизионым хэт командэхэм иужьу ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Салют» (Белгород) — «Волгарь» (Астрахань) — 2:2, «Ротор» (Волгоград) — «Торпедо» (Мэзкуу) — 0:0, «Сибирь» (Новосибирск) — «СКА-Энергия» (Хабаровск) — 1:0, «Химки» (Мэзкуу область) — «Металлург-Кузбасс» (Новокузнецк) — 0:0, «Балтика» (Калининград) — «Енисей» (Красноярск) — 3:0, «Уфа» (Уфа) — «Урал» (Свердлов область) — 0:2, «Нефтехимик» (Нижнекамск) — «Петротрест» (Санкт-Петербург) — 2:0. Дыгъуэпшыхь къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» и стадионым Новосибирск и «Сибирь»-м щыдригъэкIуэкIащ. Жыласэ Заурбэч. ЗэIуэщIэ нэужьым Шыпш Тимур, «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ: Дахэплъэжынщ диIэхэм — ЯжетIахэр тэмэму щагъэзэщIа джэгум и япэ Iыхьэ ныкъуэр ди щIалэхэм хъарзынэу ирагъэкIуэкIащ. АрщхьэкIэ хэгъэрейхэм ящыщ зэIущIэм зэрыхахуу, щытыкIэм зихъуэжащ. Апхуэдэхэм и деж къызэрыхъу хабзэщи, бжыгъэкIэ нэхъ мащIэхэм зызэщIакъуащ. «То-мь»-р гуп лъэщщ икIи ар иджыри зэ наIуэ къытщищIащ. — И кум щыджэгу гъуащхьэхъумэхэр фимыIэжу фыкъэнащ. Нэхъ пасэу фэбжь зыгъуэта Джудович гъусэ хуэхъуащ Тимошиныр, Овсиенки джэгум къыхахуащи, къыкIэлъыкIуэр блигъэкIын хуейщ. Сытхэр фи Iэмал? — Дахэплъэжынщ диIэхэм. Чернышовымрэ Сусловымрэ дащогугъ. КъищынэмыщIауэ, щIалэщIэ Абазэ Руслан ибгъумкIэ щыIэ гъуащхьэхъумэу къэтлъытэми, и кум щыджэгуфынущ. Передня Сергей, «Томь»-м и тренер нэхъыщхьэ: АдэкIэ докIуатэ — Джэгум и япэ Iыхьэм ди хьэрхуэрэгъум щхьэкъэIэтыпIэ къыдитакъым. Зыдгъэпсэхуу дыкъихьэжа иужькIэ щытыкIэм зедгъэхъуэжащ икIи нэхъ мащIэу дыкъэна пэтми, дыкъикIуэтакъым, бжыгъэри зэхуэдэ тщIыжыфащ. КъызэрыслъытэмкIэ, нобэрей зэIущIэр абы еплъахэм ягу ирихьащ. — Фызыпэмыплъа гуэр налшыкдэсхэм нобэ къызэкъуаха? — Хьэуэ. Дэ апхуэдэ джэгукIэм дыхуэхьэзырт. АрщхьэкIэ зэIущIэм и япэ Iыхьэм «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэхэм дапэлъэщакъым. Топ къытхудэзыгъэкIари нэхъапэм ди деж щыджэгуа Медведевырщ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27404.txt" }
Насыпым ухуэзышэ лъагъуэ Пасэрей философхэм зэрыжаIащи, къэралым егъэджакIуэ нэс имыIэмэ, ар гъащIэм хуэхьэзыркъым. Нобэ псоми къыщыщIидзэр егъэджакIуэрщ: дерсхэри, школри, еджакIуэри, езы жылагъуэри. ЗэрынаIуэщи, ехъулIэныгъэр къызыхуэкIуэр гурэ псэкIэ и IэщIагъэр фIыуэ зылъагъурщ. ГугъэфI, мурад дахэ уэзыгъэщIри, узыщIэхъуэпс насыпым ухуэзышэ лъагъуэри хозыгъэшри школ егъэджакIуэхэрщ. А псори зыхэлъщ, зыдэплъагъущ Къанкъул Iэниуар Шамхьун и къуэр. ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм нэблагъэкIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыта, илъэс 20-кIэ Къамылыкъуэ дэт курыт еджапIэм и унафэщI къалэныр езыхьэкIа Къанкъул Iэниуар и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 70 ирикъуащ. Ар пщIэ зыхуащI, зи IэщIагъэм хуэIэижь егъэджакIуэщ. Школым зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм ящыщ куэд епхащ Къанкъулым и цIэм. ФизикэмкIэ егъэджакIуэ Iэзэу, школ унафэщI щыпкъэу щыта Iэниуар илъэс зыбжанэ хъуауэ тIысыжауэ зигъэпсэхуми, къыдэлэжьахэм ящыгъупщэркъым, сыт щыгъуи чэнджэщкIэ зыхуагъазэ. Абы хузэфIэкIырт цIыхум я зэхуакум зэпыщIэныгъэ гуапэ дэлъыныр зэтриухуэн. ЩIэныгъэ лъагэ зыбгъэдэлъ, лъэпкъым и къэкIуэнур къызыфIэIуэху егъэджакIуэр къызэгъэпэщакIуэфI, цIыхум и психологиер зыхэзыщIэти, еджакIуэ гупыр зэкъуигъэувэрт, лэжьыгъэм хуиущийрт. Ар щышынэртэкъым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхум щIэ хэлъхьэным икIи ди школым педагогикэ технологиещIэхэр ехъулIэныгъэ иIэу къигъэсэбэпырт. И нэIэм щIэту лажьэ дэтхэнэ егъэджакIуэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэзыгъуэтыф унафэщI Iущыр, псэлъэгъу къыпхуэхъуамэ, дэплъагъурт хэлъ зэпIэзэрытыныгъэр, зыпэрыт IэнатIэмкIэ зыхищIэ жэуаплыныгъэр. Къанкъулым къикIуа гъуэгуанэ купщIафэм и щыхьэтщ игъуэта пщIэмрэ къыхуащIа гулъытэмрэ. Абы мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ Дзэлыкъуэ куей администрацэм, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. 2011 гъэм Iэниуар къыфIащащ «УФ-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличник» цIэ лъапIэр. И махуэшхуэмкIэ дохъуэхъу цIыху нэс, егъэджакIуэ Iэзэ, ущиякIуэ гъуэзэджэ, чэнджэщэгъу щыпкъэ, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ зытепх хъун дэлъхуфI, щхьэгъусэфI, адэфI Къанкъул Iэниуар. Пэжыр зи гъуазэу къэгъуэгурыкIуэ нэхъыжьыфIым уи Iущыгъэм, гуапагъэмрэ цIыхугъэмрэ папщIэ иджыри зэ фIыщIэ пхудощI икIи уи гукъыдэжыр зэщIэIэтауэ, уи узыншагъэр мыкIуэщIу, Iейм упэIэщIэрэ, фIыр уи куэду, уи жьэгу уардэм уриплъыру, гъащIэм гу щыпхуэу илъэсищэ жьыщхьэ махуэм унэсыну ди гуапэщ. ФIыгъуэрэ лъапIэныгъэу щыIэр Тхьэм къыббгъэдилъхьэ. Къамылыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэм и лэжьакIуэ гуп.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27409.txt" }
Дызэкъуэтмэ — дылъэщщ Сирием щекIуэкI гузэвэгъуэм цIыху минихым нэблагъэ гъатхэпэ мазэм щыхэкIуэдащ. Граждан зауэр къыщыхъуа щIыналъэм я лъапсэр къагъанэу, бэлыхьыр ятелъу къиIэпхъукIыжын хуей хъухэрщ нэхъыбэу гущIэгъурэ гулъытэрэ зыхуэфащэр. Зи хэку къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм къэралым, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, зигу щIэгъу цIыху къызэрыгуэкIхэми зыщIагъакъуэ. Сирием щыIэ ди лъэпкъэгъухэм я гуауэр дагуэшыну, ядэIэпыкъуну Адыгэ Республикэм къыщаIэт псапащIэ Iуэхухэм хэуващ тенджыз ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэри. — Мыпхуэдэ зэман хьэлъэхэм деж гулъытэ къудейри сэбэпышхуэщ. ИгъащIэ лъандэрэ къалэжьар напIэдэхьеигъуэм зыфIэкIуэдахэр мастэм деж къыщыщIэдзауэ унагъуэр зыхуеину псоми хуэныкъуэщ. Шапсыгъ Жылагъуэ парламентым къызэригъэпэща псапащIэ Iуэхум и къалэн нэхъыщхьэр гузэвэгъуэшхуэ зылъэгъуа ди къуэшхэм щIыбагъ зэраIэр, утыкум къызэридмынэнур, сыт щыгъуи дадэIэпыкъуну дызэрыхьэзырыр зыхедгъэщIэнырщ, — жеIэ Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид. — Мазэм и кIуэцIкIэ сом мин 250-м нэблагъэ зэхуахьэсащ. Япэ сом мин 70-р Лазаревскэ куейм и администрацэращ къыхэзылъхьар. Адыгэ Хасэм игъэIуа гъуом джэрпэджэж къыхуэхъуащ Шапсыгъым и къуажэ куэдым къикIа, Сирием щыпсэу адыгэхэм къалъыкъуэкIа гузэвэгъуэр зи щхьэм ирижахэр. Хэт сытым нэхъ хуэкъулейми зэхалъхьащ. Зэ еплъыгъуэкIэ зэхуахьэса ахъшэм и бжыгъэр инкъым, ауэ, псапащIэ Iуэхур иджыри йокIуэкI, — жиIащ Жылагъуэ парламентым и унафэщIым. Нэхъыбэу зыщыгугъхэм ящыщщ Хасэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ, Сочэ къалэ и жэрдэмщIакIуэ щIалэгъуалэ гупыр. Иджыблагъэ Сирием къикIыжу Адыгэ Республикэм и Тохъутэмыкъуей куейм къитIысхьэжа гупым я деж ШахэкIейшхуэ икIа гуп щыIащ. Тенджыз ФIыцIэ Iуфэм Iус адыгэхэм къэзыгъэзэжахэм хузэхуахьэса дэIэпыкъуныгъэр хуашэри зы гуп Мейкъуапэ кIуащ. Абыхэм я пашэу щытащ КIэкIыхъу Мэжид, жылагъуэ зэгухьэныгъэм пщIэшхуэ зыхуащI унафэщI ТIэш Мурдин, тенджыз ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм я Нэхъыжьхэм я Хасэм и тхьэмадэ Шхьэлахъуэ Анатолэ, Сочэ къалэрэ ТIуапсы щIыналъэмрэ я Iимам нэхъыщхьэ Шхьэлахъуэ Батмыз, Агуй-Шапсыгъ къуажэм щызэхэт хасэм и унафэщI Ныбэ Жамболэт сымэ. — Ди лэжьыгъэр цIыхухэм я деж нэсын папщIэ дэ япэ щIыкIэ дечэнджэщащ АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хэкуэгъухэм запыщIэнымкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэр, аращ мы Iуэхур зи пщэ дэлъыр, — жиIащ КIэкIыхъу Мэжид. — Ди къалэныр унагъуэ нэхъ хуэмыщIахэм, хуэныкъуэхэм дадэIэпыкъунырт. Дэ унафэ тщIат, хьэпшыпхэр, ерыскъыхэкIхэр къэдмыщэхуу ахъшэр унагъуэхэм ятедгуэшэну, езыхэр зыхуэныкъуэр зэрыхуейм хуэдэу къащэхужын хуэдэу. Абы ипкъ иткIэ, зэлъэпкъэгъухэр зэхуэгъэзэныр, ахъшэр зэхуэдэу ятегуэшэныр комитетым ипщэ дилъхьэжащ. Псори фIы дыдэу къызэрагъэпэщат, фIыщIэшхуэ яхузощI зи гуащIэ абы хэзылъхьа дэтхэнэми. Мейкъуапэ деж гупым гъусэ зыкъыщыхуащIащ АР-м щыIэ педагогикэ колледжым и унафэщI Ачмыжь Къазбэч, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Едыдж Батрай, ШахэкIей ЦIыкIу дэс пшынауэ Iэзэ Гъуафэ Хъэлид. — Ди хэкуэгъухэм зэрамызакъуэр быдэу захедгъэщIэну дыхуейт, — жеIэ Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм. — Адыгэ пшынэм и макъ лъэщым къыпхуигъэкIынущ псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэн щытыкIэ, гурыщIэ. Адыгэ Республикэм и ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и пэшышхуэм щекIуэкIа зэIущIэм цIыху куэд кърихьэлIат. Абыхэм яхэтт къэзыгъэзэжахэр, щIэныгъэм и лэжьакIуэхэр, институтым и унафэщI Бырсыр Батырбий, АР-м и Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым щыщхэу Едыдж Мэмэтрэ МэшхуэфI Нэждэтрэ. Псом хуэмыдэу щIалэгъуалэ, студент куэд къызэхуэсат. — НобэкIэ Сирием къикIыжауэ унагъуэ 97-рэ ди республикэм исщ, — жиIащ Щхьэлахъуэм. — Ахэр зыIущIэ лъэпощхьэпохэр мащIэкъым, ауэ дэри зэрытхузэфIэкIкIэ дадэIэпыкъу зэпытщ. Къуажэм щыпсэуну дэтIысхьэхэм я Iуэхур куэдкIэ нэхъыфIщ, абыхэм щIэгъэкъуэныфI яхуохъу щIыпIэ администрацэмрэ къуажэдэсхэмрэ. Къалэдэсхэм я Iуэхур нэхъ хьэлъэщ, псом хуэмыдэу студентхэр гугъу йохь. Къэрал къулыкъущIапIэм щыIэхэм, хьэрычэтыщIэхэм унагъуэ хуэмыщIахэм зыщIагъакъуэ, псы, газ, уэздыгъэ уасэхэр хуат. Езыхэми я Iэ зэтедзауэ щыскъым, лэжьапIэ къалъыхъуэ, унэ лъащIэхэр зэрагъэпэщыж, урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ егугъуу зэрагъащIэ, къыздэкIуэжам зэрызыхагъэзэгъэным яужь итщ. ЦIыхухэр зыхуэныкъуэм тещIыхьауэ, тенджыз ФIыцIэ Iуфэм Iус адыгэхэм зэхуахьэса гуманитар дэIэпыкъуныгъэр унагъуэхэм трагуэшащ. Абы щыщу унагъуибгъум сом мин пщIырыпщI лъагъэсащ, Адыгэ Республикэм щеджэ студент 62-м сом мин тIурытI, цIыхуищым сом мин тхурытху, сымаджэ хьэлъэ яIэу зы унагъуэм сом мин 25,5-рэ хухахащ. Апхуэдэуи къэзыгъэзэжахэм трагуэшэнущ Шапсыгъым кърагъэха шхынхэр. — ГъащIэм куэдрэ щытыкIэ гугъу урегъэувэ, абыхэм сыт щыгъуи уапэщIэтын, уи къару къызэрихькIэ хэкIыпIэм я нэхъыфIыр къэплъыхъуэурэ удекIуэкIын хуейуэ аращ. Фэ псом хуэмыдэу IэнатIэ гугъу фыпэрыуващ, ауэ абы къикIыркъым гуауэм фи лъэр щIевгъэхын хуейуэ. ГъащIэр къекIэрэхъуэкIри, фи адэжьхэм я щIыналъэм къэвгъэзэжащ. Уи хэку лей къыщыптехьэнукъым. Дызэкъуэтмэ — дылъэщщ. Дызэгъусэу дэ сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэлъэщынущ, аращ ди адэжьхэм къытхуагъэна уазыр, — жиIащ нэхъыжьыфI ТIэш Мур-дин. ЗэIущIэр и кIэм нэблэгъами, цIыхухэр куэдрэ зэхэкIыжакъым. Ахэр зэрыцIыхурт, зэпсэлъылIэрт, фIыщIэ зэхуащIырт. Я гукъеуэхэм я гугъу ямыщIынри ялъэкIакъым. Сирием къикIыжа адыгэхэм я нэхъыжьхэу Хъунэгу Гъиаз, Едыдж Мустэфа, СтIащ Фираз, Уджыхъу Мустэфа, Нэрзан Алий сымэ, нэгъуэщIхэри хуабжьу егъэгузавэ я нэхъыщIэхэм я натIэ хъуным, зи щхьэр мафIэм хэлъхэм къапэплъэм. А махуэм Шапсыгъым къикIа гупыр щыIащ иджыблагъэ къызэIуаха Физкультурэмрэ дзюдомкIэ институтым, пасэу дунейм ехыжа Куэблэ Екъуб и музейм. НобэкIэ а хъумапIэм щIэлъщ зэман зэхуэмыдэхэм траха сурэт щихым нэблагъэ, Екъуб и хьэпшыпхэр, медалхэр. Шапсыгъхэр АР-м щыщыIэм ирихьэлIэу IэмалыфI ягъуэтащ адыгэхэм я илъэсыщIэм хэтыну, ягъэлъэпIэну. Зи къуэпсхэр жыжьэ къыщежьэ хабзэр нобэхэми яIэт, ящIэж хэкулI нэсхэм, псэкупсэхэм я фIыгъэкIэ. Апхуэдэщ цIыху IэпщIэлъапщIэ, зи Iэпэм дыщэ къыпыщ жыхуаIэм хуэдэ, «НАН» фирмэм и унафэщI НэгъущI Аслъэн. Илъэс къэс абы и «кIыщым» адыгэгу зыкIуэцIылъ нэхъыжьхэр, щIалэгъуалэр, щIэныгъэм, творчествэм и цIыхухэр, хэкум къэзыгъэзэжахэр, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр, нэгъуэщI куэд щызэхуосри, хабзэжьым къызэригъэувым хуэдэу, зэбгъэдэсщ. Лъэпкъым и фIыпIэр, и къарур апхуэдэхэм дежщ нэсу щызыхэпщIэр. Тхыгъэри сурэтхэри Ныбэ Анзор ейщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27411.txt" }
ЛIыфI и щытхъу кIуэдыркъым КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Ибрэхьим къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу ЦIыху гъащIэр къызэрапщыр илъэс бжыгъэкъым, атIэ дунейм къытринэ IуэхущIафэхэмрэ лъэужь дахэмрэщ. Ахэращ дунейм ехыжар и Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ ящызымыгъэгъупщэр. ТщIымыгъужми, къытхэту къытщохъу цIыху щэджащэу псэуа, зи IэнатIэм ехъулIэныгъэ куэд щызыIэрызыгъэхьа журналист цIэрыIуэ НэщIэпыджэ Ибрэхьим. Ар пасэу тхэкIыжами, гум къинащ абы и жумартагъыр, и чэнджэщ Iущхэр, цIыкIуми инми, Iыхьлыми ныбжьэгъуми яхуищIу щыта пщIэмрэ и угъурлагъым къыпкърыкI гуапагъэмрэ. ЦIыхушхуэм гушхуэ кIуэцIылъщ, жиIакъэ адыгэм. Апхуэдэт Ибрэхьим. И лъагагъым хуэфэщэн лы телъыжу лIы зэкIужт. И теплъэ къудейм хузэфIэмыкIынрэ къемыдэIуэнрэ щымыIэу къыпфIагъэщIырт. ИкIи арат зэрыщытыр, ар зыпэрыхьа сыт хуэдэ Iуэхури гугъуехь къыхэмыкIыу зэфIэкIынут, зыхуигъэувыжа мурадыр зэман гъунэгъум зригъэхъулIэнут. Абы папщIэ къыхуэсэбэпырт и хьэл зэпIэзэрытыр, псэлъэкIэ гуакIуэр, зыпэрыт IэнатIэм зэрыхуэIэзэр, цIыхухэм зэрахуэгуапэр. Ахэрат абы и Iэщэу дунейм щигъабзэр. Гу къабзэрэ псэ хьэлэлрэ иIэу зы цIыху дунейм тетамэ, Ибрэхьим етIуанэт. И цIыху хэтыкIэм, ныбжьэгъу иIыгъыфу зэрыщытам я гугъу пщIымэ, «апхуэдэлI гъуэтыгъуейт: хьэрэмыгъэншэт, зи Iэгур зи Iэнэ цIыху жумартт — гуапагъэм къыхуалъхуами ярейт», — жаIэ абы къыдэгъуэгурыкIуахэм. Балигъ хъууэ, лIыпIэ иува нэужь, зыхуей псори зригъэхъулIэу, зыхэтхэм пщIэ къыхуащIу псэуа щхьэкIэ, сабиигъуэ IэфIкIэ гъащIэр зыхуэупсахэм ящыщтэкъым Ибрэхьим. Абы и цIыкIугъуэр Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм хиубыдащ. Зауэм и гуащIэгъуэм балигъ ныбжьым ит псори фронтым Iухьат. Гугъуехь куэд зи пщэм къыдэхуа сабийхэр гузэвэгъуэм кърихуэкIырти, я адэхэм, шынэхъыжьхэм я къалэнхэр ягъэзэщIэну лъэпIастхъэрт. А псор зи нэгу щIэкI анэхэм, анэшхуэхэм я гур узырт. Дэтхэнэм уригузэвэнт — лIыжь-фызыжь лъэрымыхьхэмрэ сабий IэпцIэлъапцIэхэмрэ гъейм къызэребгъэлынурат хьэмэрэ псэзэпылъхьэпIэ зауэм Iутхэрат? Гупсысэгъуэрэ гузэвэгъуэрэ щыкуэд а зэман гугъум илъэси 9 и ныбжьу хиубыдат Ибрэхьим. 1942 гъэм и мазаем Къэхъун къуажэ щыщ НэщIэпыджэ Мусэ, абы и къуэшхэу Къасымрэ Жэмалдинрэ зауэм кIуащ, икIи зыми къагъэзэжакъым. ЦIыхухъу нэхъыжьу щытыныр зи пщэ къыдэхуар Мусэ и къуэ Ибрэхьимт. Зауэм зэтрикъутахэр зэфIэгъэувэжыпхъэт. Ибрэхьим нэхъ къыдэкIуэтеят. Абы щыгъуэм еджапIэр къигъанэу пщIантIэм дэсхэм ядэIэпыкъун хуей хъуащ щIалэщIэр. ИкIи хузэфIэкIащ ар абы, и жыджэрагъымрэ сыт хуэдэ лэжьыгъэми зэрыпэлъэщымрэ я фIыгъэкIэ зэман гугъум къикIащ. Анэракъэ сыт щыгъуи гузавэр?! Зы махуэ гуэрым КIулицэ и къуэр зыбгъэдигъэтIысхьэри хэгъэзыхьауэ жриIащ: «Сыт хуэдиз гугъуехь пылъми, си щIалэ, еджэным пумыщэнкIэ Iэмал иIэкъым. Нобэкъым Iуэхур зытещIыхьын хуейр, атIэ пщэдейрей махуэрщ…». Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Ибрэхьим Налшык дэт пединститутым щIэтIысхьащ икIи урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэр иIэу 1956 гъэм къиухащ. Ауэ абы егъэджакIуэу лэжьэну къыхуихуакъым. Ар КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и деж щыIэ республикэ лекцэ бюром и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъуу ягъэуващ. ИужькIэ а бюрор Министрхэм я Советым иратащ, итIанэ республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм хагъэхьэжащ. Абы щыгъуэм НэщIэпыджэм и пщэм къыдэхуа къалэн мытыншым гурэ псэкIэ бгъэдэувэри, лекцэхэр итхыу, абыхэм къеджэхэм ядэIэпыкъуу, езыри зэманым къигъэув Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, гъэщIэгъуэнхэм теухуахэм тепсэлъыхьу лэжьащ. 1957 гъэм бюрор якъутэжри, абы и мылъкури и къалэнхэри «ЩIэныгъэ» обществэм иратыжащ. А гъэ дыдэм Ибрэхьим комсомолым и обкомым и инструктору ягъэкIуащ. А IэнатIэм абы Iэмал щигъуэтащ республикэм и районхэм, къуажэхэм щыIэ комсомол зэгухьэныгъэхэм, щIалэгъуалэ псоми нэхъыбэрэ яхуэзэну, я IуэхущIафэхэр зригъэщIэну, зи лэжьыгъэр къызэхьэлъэкIхэм ядэIэпыкъуну. КъБКъУ-р 1957 гъэм къыщызэIуахам ар университетым и комсомол комитетым и секретару хахащ, мыгувэуи Къэбэрдей-Балъкъэр щIалэгъуалэ гупым и комиссару щIыщIэхэр къыщаIэт Акмолэ областым ягъэкIуащ. Республикэм щыщ щIалэгъуалэу 1800-м я пашэу НэщIэпыджэр щIыщIэхэм 1958 гъэ псом щыIащ. Абы къикIыжри, Ибрэхьим инструктору ягъэкIуащ республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм. Абы кърагъэбыдылIащ Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ, Прималкэ районхэм щылажьэ ЩэнхабзэмкIэ унэхэр, библиотекэхэм я лэжьыгъэр унэтIыныр. Ибрэхьим мы IэнатIэщIэм сэбэп къыщыхуэхъуащ щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ нэхъапэм иIа IуэхущIафэхэр. Къуажэхэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэхэм я Iуэхухэр къызэгъэпэщынымкIэ, библиотекэхэм зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щегъэкIуэкIынымкIэ, нэгъуэщI IуэхухэмкIи ар щIэгъэкъуэн нэс хъурт. Лэжьыгъэу зыпэрыхьэр дахэу къызэхъулIэ Ибрэхьим сыт щыгъуи жыджэру хэтащ республикэм щекIуэкI Iуэхухэм. Къалэн къыщащI псори жану, къызыхуэтыншэу зэригъэзащIэм къыхэкIкIэ, абы къулыкъу зыбжанэ дзыхь къыхуащIауэ щытащ. Къызэрыдгъэлъэгъуащи, комсомол IэнатIэхэм щригъажьэри, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм щылэжьащ, илъэс зыбжанэкIэ ар и тхьэмадэу щытащ ЦIыхубэ творчествэмкIэ республикэ унэм. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, щэнхабзэм, гъуазджэм, республикэм я зыужьыныгъэр егъэфIэкIуэным жумарту хэт щIалэм гу хуищIащ литературэм. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ усэхэр, рассказхэр, хъыбархэр. НэщIэпыджэр журналистикэми дихьэхырт. И псэм фIэфI IэнатIэм щыпэрыувэм, и унафэщIхэми къыдэлажьэхэми я деж и Iулыджыр щиIэтащ ар гурэ псэкIэ лэжьыгъэм зэрыпэрытым. Сыт хуэдэ къулыкъу ирихьэкIами, ар быдэу япыщIат республикэм къыщыдэкI газетхэм, телевиденэм, радиом я редакцэхэм. Абы зэпымыууэ итхырт лэжьакIуэ пашэхэм, цIыху щыпкъэхэм ятеухуа очеркхэр, хъыбар кIэщIхэр. Очеркхэмрэ адрей тхыгъэхэмрэ нэмыщI, щэнхабзэ лэжьыгъэмкIэ методикэ чэнджэщхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ. НэщIэпыджэр зэрылажьэм хуэдэурэ, Дон Iут Ростов дэт къэрал университетым журналистикэмкIэ и къудамэри къиухри, 1969 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр радиом пропагандэмкIэ и къудамэм и редактору ягъэуващ. А IэнатIэм Ибрэхьим къыщигъэсэбэпащ и щIэныгъэ куур, журналист нэсым иIэн хуей къэухьым зригъэужьащ, Iэмалхэм зыхигъэгъуэзащ. 1989 гъэм ар хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом урысыбзэмкIэ и редакцэм и редактор нэхъыщхьэ. Ибрэхьим иригъэкIуэкIыу щытащ «Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэр» зыфIища нэтыныр, лэжьыгъэм и ветеранхэм ятеухуа циклри хэту. Абы цIыхухэр щигъэгъуазэрт езым къыдэлэжьахэу, и ныбжьэгъухэу хьэл-щэн дахэ зыдилъэгъуахэм я IуэхущIафэхэм, гъащIэ дерс дахэкIэ щапхъэ хъуауэ къилъытэхэм ятеухуа гукъэкIыжхэм. ЗэфIэкI хъарзынэ къэзыгъэлъагъуэ, зи къалэн псоми фIыуэ пэлъэщ НэщIэпыджэ Ибрэхьим и лэжьыгъэр гулъытэншэ хъуакъым. 1977 гъэм ди республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ, иужькIэ «Телевиденэмрэ радиовещанэмрэ я отличник» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Журналистхэм я союзыр илъэс 80 щрикъум и щIыхькIэ къыдагъэкIа дамыгъэр, «ЩIыщIэхэр къэIэтыным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ», «Лэжьыгъэм и ветеран» медалхэр къратащ. Псом ящхьэращи, «КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр 1995 гъэм къыхуагъэфэщащ. ЛъэужьыфIэт Ибрэхьим. Журналистикэм къыхина хъэтIым нэмыщI, и фэеплъыр я гъуазэу, абы хиша лъагъуэм ирокIуэ и унагъуэ дахэр. Зым Iэпыхур адрейм къищтэжу зэдэпсэуа зэщхьэгъусэхэм я зыр дунейм ехыжами, абы къыщIэна псори зэригъэзахуэу мэпсэу и щхьэгъусэ Тамарэ. Маринэ, Мадинэ, Заур сымэ адэм и фэеплъ нэхур яхъумэрэ пщIэ хуащIу къогъуэгурыкIуэ. Куэдым я гуапэ ищIу, и гум щыщ IыхьэкIэ яхуэупсэу дунейм тета НэщIэпыджэ Ибрэхьим псэужамэ илъэс 80 ирикъунут. Езыр къытхэмытыжми, и фэеплъым и нурым я гъуэгур егъэнэху ар зыцIыхуу щыта псоми. И къуэшхэмрэ абыхэм я бынхэмрэ, езым и щIэблэм я гъуазэт ар, ноби щызэхыхьэжхэм деж и цIэр кърамыIуэу къанэркъым. И ныбжьэгъухэращи, зы махуи ягу ихуакъым. Си IэнатIэм куэдрэ сыщыхуозэ ди нэхъыжьыфIым къыдэлэжьахэм, икIи сыт щыгъуи гуапэу абы къыдакIуа гъуэгуанэм щыщ пычыгъуэ мащIэм теухуа хъыбарыфIхэм срагъэдаIуэ. Къытхэмытыжми, тщIыгъущ апхуэдэ цIыху щэджащэр, гу къабзэрэ псэ хьэлэлрэ иIэу зи лъэужьыр лъагъуэу къытхуэзыгъэна Ибрэхьим… Къэхъун Нэхунэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27416.txt" }
Амщокъуэ ФатIимэт: ЛэжьакIуэхэм къащхьэщыжыфынур профсоюз лъэщхэрщ КъБР-м и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм и Советым и IХ зэIущIэ екIуэкIащ. Абы щыхэплъэжащ илъэс кIуам я лэжьыгъэм кърикIуахэм, 2013 гъэм къапэщыт къалэныщIэхэр щаубзыхуащ. Амщокъуэ ФатIимэт и псалъэ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым лэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Жанатаев Сэлим, КъБР-м и Правительствэм и Тхьэмадэм и къуэдзэ Портэ Галинэ, Урысейм и Профсоюз щхьэхуитхэм КИФЩI-мкIэ и федерацэм и секретарь Ахъей Фаинэ, профсоюз комитетхэм я лIыкIуэхэр. ЗэфIагъэкIахэм, къэкIуэнум я мурадхэмрэ гулъытэ зыхуэщIыпхъэ къалэн нэхъыщхьэхэмрэ и докладыр триухуащ КъБР-м и профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт. — 2012 гъэр мыхьэнэ зиIэ IуэхугъуэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ икIи Урысейм и жылагъуэ институт нэхъ инхэм ящыщ профсоюзыр политикэ гъащIэм жыджэру хэтащ. ЛэжьакIуэхэм къащхьэщыжыфынур къарууфIэ, мыхьэнэ зиIэ, демократиер зи лъабжьэ профсоюзхэрщ. Ар ящыщщ ЦIыхубэ фронтым япэу гухьахэм, жыджэру хэтащ Урысейпсо цIыхубэ фронтым и программэр гъэхьэзырыным икIи лэжьыгъэм, цIыхухэр Iэна- тIэкIэ къызэгъэпэщыным, лэжьыгъэр хъумэным теухуауэ ФНПР-м и программэм къыщыгъэлъэгъуахэр абы хагъэхьащ. КъищынэмыщIауэ, яубзыхуа «Лэжьыгъэ зэгухьэныгъэ» урысейпсо политикэ партымкIэ, абы и щIыналъэ къудамэ Къэбэрдей-Балъкъэрми къыщызэрагъэпэщащ, законхэмрэ политикэ унафэхэмрэ къыщащтэкIэ я Iуэху еплъыкIэр ягъэлъэгъуэну Iэмал ягъуэтащ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ икIи дызыхуейщ, — жиIащ Амщокъуэм. Профсоюз унафэщIым къызэригъэлъэгъуамкIэ, зыужьыныгъэм, ефIэкIуэныгъэм хуэунэтIа а Iуэхугъуэхэм къалэн къащещI хэкIыпIэ псори зэпэлъытауэ социальнэ зэпыщIэныгъэхэр организацэхэм, IэнатIэхэм, зэрыщыту республикэм щызэтраухуэныр, зэгурыIуэныгъэхэр иращIылIэныр зэтраублэну. Докладым къызэрыхэщащи, КъБР-м и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэр зриплъэж лъэхъэнэр къриубыдащ республикэм экономикэ зыужьыныгъэхэр щекIуэкI щытыкIэм. — Ди лIыкIуэхэр, хабзэгъэув органхэм я депутату щыткIэрэ, КъБР-м и Парламентым, щIыпIэ самоуправленэмкIэ советхэм жыджэру щылэжьащ. Профсоюзхэр хэтащ КъБР-м и Правительствэм и зэIущIэхэм икIи лэжьакIуэхэм я социально-экономикэ щытыкIэр егъэфIэкIуэныр зэрыпхагъэкIыным яужь итащ. Властым и гъэзэщIакIуэ, муниципальнэ органхэм хуаIэ пыщIэныгъэхэр зэтраухуащ. Псом япэу профсоюзхэм, цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэзыгъэпэщхэм я зэгухьэныгъэхэмрэ властым и органхэмрэ зэгурыIуэныгъэхэр зэрыращIылIэным, ахэр пхыгъэкIыным. ПэщIэдзэ профосоюз организацэхэм гуп зэгурыIуэныгъэ 1687-рэ зэращIылIащ. Абыхэм къызэщIаубыдэ профсоюзым хэт цIыху мини 117,9-рэ (процент 97,1-рэ), — къыхигъэщащ профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым. Статистикэм тепщIыхьмэ, лэжьапIэншэхэр республикэм нэхъ мащIэ щыхъуащ. 2012 гъэм КъБР-м и экономикэм щылэжьащ цIыху 350600-рэ, ипэ ита илъэсым елъытауэ мин 22-кIэ нэхъыбэ. Апхуэдэу щытми, профсоюз унафэщIыр егъэпIейтей языныкъуэ муниципальнэ куейхэм абы и лъэныкъуэкIэ щытыкIэр гугъуу къызэрыщынэжым икIи Амщокъуэ ФатIимэт къигъэлъэгъуащ профсоюзхэм властым и IэнатIэхэмрэ цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэзыгъэпэщхэмрэ я деж щыпхагъэкIын хуей къалэнхэр. Абыхэм ящыщщ щыIэ лэжьыгъэ IэнатIэхэр хъумэныр, щIэхэр къызэгъэпэщыныр, лэжьыгъэ рынокыр къэрал кIэплъыныгъэм щIэтыныр щIэгъэткIиеныр, нэгъуэщI къэрал къикIыу лэжьакIуэ къакIуэхэр гъэмэщIэныр. Апхуэдэуи 2013 гъэм теухуа цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщын республикэ программэр пхыгъэкIыныр икIи мылъку хухэхыныр, нэгъуэщIхэри. Профсоюз унафэщIым зэрыжиIамкIэ, 2012 гъэм республикэм ику ит лэжьапщIэр сом 16423-м щынэсауэ щытащ. «МащIэу къонэж егъэ-джэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэмрэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ куэдым я улахуэр. Профсоюзхэм яхузэфIэкI псори ялэжь бюджет лэжьакIуэхэм лэжьапщIэ тэмэм яIэнымкIэ. А унэтIыныгъэхэм адэкIи къыпащэнущ», — къигъэлъэгъуащ абы. Иджыпсту КъБР-м щолэжь къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм 2013 — 2018 гъэхэм я улахуэр зыхуэдэнум теухуа положенэщIэхэр зэхэгъэу вэным. Амщокъуэм къызэрыхигъэщамкIэ, профсоюзхэр яужь итщ егъэджэныгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ, щэнхабзэмкIэ министерствэхэр зэлэжь проектхэм сом 5205-рэ нэхъ мащIэ улахуэ къызэрыщамыгъэлъэгъуэным, КъБР-м и Правительствэр хэплъэну ар къыхалъхьэну. КъБР-м и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ лэжьыгъэ хабзэм зегъэужьыныр, абыкIэ хуитыныгъэхэр хъумэныр. Зриплъэж лъэхъэнэм республикэм и профсоюз зэгухьэныгъэм и инспекторхэм цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщхэм лэжьыгъэ законодательствэр зэрагъэзащIэм теухуа къэпщытэныгъэ 352-рэ ирагъэкIуэкIати, ныкъусаныгъэ 329-рэ къыщIагъэщащ. Абыхэм ятеухуауэ дэфтэри 184-рэ ягъэхьэзыращ. Ныкъусаныгъэ 314-р ягъэзэкIуэжащ, цIыхуи 5 лэжьапIэм ягъэувыжащ. Профсоюзым хэт цIыху1693-м зыкъызэрыхуагъэзахэм хэплъащ, абыхэм юридическэ дэIэпыкъуныгъэ иратащ. Апхуэдэуи хэтащ гуп зэгурыIуэныгъэ 590-рэ зэхэгъэувэным. Профсоюзхэм лэжьакIуэу къызэщIаубыдэм и гугъу пщIымэ, докладым къызэрыщагъэлъэгъуамкIэ, КъБР-м и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм и учетым 2013 гъэм и щIышылэм и 1-м цIыху 139305-рэ щытащ, ар 2011 гъэм елъытауэ 3015-кIэ нэхъ мащIэщ. Ар къэзыша щхьэусыгъуэхэм хохьэ предприятэхэм, апхуэдэуи егъэджэныгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр зэрагъэмащIэм, студентхэм я бжыгъэм зэрыхэщIым. Республикэм и профсоюзхэм я федерацэм и унафэщIым къызэрилъытэмкIэ, апхуэдэ статистикэр къызрикIуэхэм ящыщщ рескомхэм цIыхухэр къешэлIэнымкIэ лэжьыгъэ узэщIа зэрырамыгъэкIуэкIыр, профсоюз организацэхэм я Iуэхутхьэбзэхэм и фIагъым хэгъэхъуэн зэрыхуейр. — Иджыпсту зэфIэува социально-экономикэ щытыкIэ гугъум, лэжьакIуэхэм я хуитыныгъэмрэ я сэбэп зыхэлъхэмрэ тхъумэну къегъэув. Ар къызэзыгъэпэщыфынур демократиер зи лъабжьэ профсоюз лъэщхэрщ. Дэ дыхущIэкъун хуейщ лэжьакIуэбэм къыщхьэщыжыфыну организацэ лъэщ и щIыбым къызэрыдэтыр зыхищIэу, дэтхэнэри профсоюзым къыхыхьэным хуэгъэушыным, — жиIащ Амщокъуэ ФатIимэт. Агропромышленнэ комплексым и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и рескомым и унафэщI Беслъэней Чэмал зыгъэпIейтейхэм ящыщ IэнатIэм IэщIагъэлIхэр зэрыхуримыкъур, лэжьапщIэр зэрымащIэр, властым хуаIэ социальнэ пыщIэныгъэр зэрылъахъшэр. «Къапщтэмэ, лэжьапщIэр, зэрыщыту экономикэмкIэ курыт лэжьапщIэм процент 46-кIэ къыкIэроху — ар сом мини 9-м нэсыркъым. Абы и лъэныкъуэкIэ муниципалитетхэм Iуэхур щынэхъ гугъущ, — къыхигъэщащ абы. Медицинэм и лэжьакIуэхэм я профсоюз унафэщI Яськовэ Ольгэ къигъэлъэгъуащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зегъэужьынымкIэ программэр республикэм нэсу зэфIэха зэрыщымыхъуар, абы кърикIуахэри къызэрыгуэкI дохутырхэмрэ ахэр зэIэзэхэмрэ къазэрыгурымыIуэр. «ЦIыхум хуэфащэ гъащIэ къыхузэгъэпэщын — апхуэдэу щыубзыхуащ къэралым и Президентым и социальнэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэм, ГъащIэ узэщIар япэу къэзыгъэлъагъуэр улахуэрщ. Мыбдежым къыхэзгъэщыну сыхуейщ, узыншагъэр хъумэнымкIэ Iэ-натIэм и лэжьакIуэхэм ящыщ куэд тэмэму зэрымыпсэур, атIэ МРОТ-м хуэкIуэ лэжьапщIэмкIэ ерагъыу къэпсэууэ зэрыарар», — жиIащ къэпсэлъам. Псалъэмакъым къыпищащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я лэжьакIуэхэм я профсоюз комитетым и унафэщI Карныш Сергей. Ар къытеувыIащ медикхэмрэ педагогикэ лэжьакIуэхэмрэ медицинэ къэпщытэныгъэхэр драгъэкIуэкIыныр зэрызэфIэмыкIым. Дэтхэнэ къэралым и дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ къэкIуэнур зей, куэдкIэ зыщыгугъ щIалэгъуалэм. Ахэр къэралым и цIыху нэсу зэфIэувэнымкIэ ягъуэтын хуей гулытэр зэралъэмыIэсым, зэрызыхамыщIэм гугъуехьхэр кърокIуэ, щIэблэщIэм жылагъуэ зыужьыныгъэм хуищIыфыну хэлъхьэныгъэр егъэлъахъшэ. Ерыщу, узэщIауэ я мурадхэр, зыхуагъэувыж къалэнхэр зэфIэхыным, гушхуэныгъэ хэлъу ипэкIэ зэрыкIуэтэным, зыIууэ гугъуехьхэр къызэнэкIыным и хэкIыпIэхэу къилъытэм, щIалэгъуалэр профсоюз лэжьыгъэм зэрыхэтым къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ КъБР-м и профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм и ЩIалэгъуалэ советым и унафэщI Лу Азэмэт. Профсоюз зэIущIэр Iуэху гуапэкIэ иухащ. Портэ Галинэрэ Амщокъуэ ФатIимэтрэ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и рескомым и унафэщI, Урысейм и цIыхубэ артисткэ Дау Марьянэ иратыжащ КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр. Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэм и щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ Бахъсэненкэ къуажэм дэт НШДС-м и унафэщI Абрэдж Хьэблацэ, Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №12-м и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэ-дзэ Джаппуевэ Джамиля, «Ростелеком» ОАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр филиалым и ЩIалэгъуалэ советым я унафэщI Къардэн Вадим сымэ. УаРДЭ Жантинэ. Сурэтхэр Мамий Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27419.txt" }
Гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэкIэ гъэнщIа махуэшхуэ Профсоюзхэм я дунейпсо конфедерацэм и къыхуеджэныгъэкIэ Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэр мы гъэм къэрали 140-м щагъэлъэпIащ. Зэкъуэтыныгъэм, мамырыгъэм, зэакъылэгъуныгъэм, зэIузэпэщыгъэм, зыужьыныгъэм хуэзыущий Iуэхугъуэхэр Урысей Федерацэми щекIуэкIащ. Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэр щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ куейхэмрэ. Гъатхэм и щIэрэщIэгъуэ дахэм, а махуэ щIэщыгъуэм гум, псэм зригъэIэтырт, гушхуэныгъэ къыпхилъхьэрт! Пщэдджыжь дыгъэпсым зиубгъурт, Гъатхэм, лэжьакIуэхэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэшхуэр зыгъэлъэпIэну къызэхуэсахэр гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмрэ зэщIиIэтэрт. Накъыгъэм и 1-р, Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэ лъапIэр, дэ къыддокIуэкI пщIэ хуэтщIу, насыпрэ фIыгъуэкIэ дыщыгугъыу. Сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр екIуэкIми, ар фIыуэ ялъагъу махуэшхуэу къонэж. Мы гъэм, гуфIэгъуэм хэтыну, Налшык и уэрам нэхъыщхьэм ирикIуэну гукъыдэж зыщIахэр мини 6-м щIигъурт. Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдейр и фIэфIыныгъэкIэ Урысейм зэрыхыхьэрэ илъэс 400 щрикъум и цIэкIэ щыIэ утым деж пщэдджыжьым щызэхуэсат махуэ щIэращIэм и зэхэублакIуэхэр, интеллигенцэр, къэрал IуэхущIапIэхэм, парт, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, ветеранхэр, а псоми я гукъыдэжыр къэзыIэт щIалэгъуалэр. Сыхьэти 10-м махуэшхуэ Iуэхугъуэм щIидзащ. ГуфIэгъуэм кърихьэлIа псоми я гурыгъу-гурыщIэр къызэрыщ, къэкIуэнум фIыкIэ зэрыщыгугъыр къызыхэщ плакатхэр щIалэгъуалэм яIыгът, лъэпкъ фащэхэмкIэ хуэпа, макъамэ дахэр зыгъэIу гъуазджэм и лIыкIуэхэм гукъыдэжыр нэхъри къаIэтырт. Удз гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэхэмрэ шар гъэпща зэмыфэгъухэмрэ гъатхэ пщэдджыжь щIэращIэм нэхъри махуэшхуэ теплъэ иратырт. Гукъыдэжыр къэзыIэт, зэманым жьы дэмыхъу маршхэм еуэ духовой оркестрым игъэIу макъамэм щIэту, КъБР-м и Парламентым и Тхьэмадэ Чеченов Ануар, депутатхэр, Амщокъуэ ФатIимэт зи унафэщI республикэм и профсоюзхэм, «Урысей зэкъуэт» политпартым и щIыналъэ къудамэм я лIыкIуэхэр я пашэу махуэшхуэм хэтхэр Лениным и проспектым ирикIуащ. ЗэгурыIуэныгъэм и утым деж гуфIэгъуэм хэтхэм гъусэ къащыхуэхъуащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан, министрхэр, къулыкъущIэхэр. Абхъазым и утым псори щызэхыхьэри гуфIэгъуэ пэкIум щIидзащ. Япэу псалъэ иратащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Чеченов Ануар. — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ, сэ къызбгъэдэкIыу, нобэрей зэхыхьэм кърихьэлIахэм фи цIэкIэ, зэрыщыту республикэм и цIыхухэм Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу, — захуигъэзащ абы махуэшхуэ пэкIум кърихьэлIахэм. — Сыт щыгъуи хуэдэу, нобэрей май махуэшхуэр къыдогъэблагъэ къэкIуэнум фIыкIэ дыщыгугъыу. Абы и лъэныкъуэкIэ лъабжьэфIхэр ди мащIэкъым. Иужьрей илъэсхэм экономикэм зегъэужьыным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ къытпэщыт къалэнхэр ехъулIэныгъэхэр иIэу зэфIыдох. Апхуэдэщ къызэднэкIа 2012 гъэри. Къапщтэмэ, илъэс кIуам республикэм и хэхъуэр сом мелард 94,2-рэ хъуащ, ар 2011 гъэм елъытауэ проценти 5-кIэ нэхъыбэщ, промышленнэ производствэр проценти 118,6-м нэсащ. КуэдкIэ хэхъуащ ухуэныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэм, кIуэ пэтми зеужь мэкъумэш хозяйствэм. 2011 гъэм лэжьапIэншэхэр процент 11-м нэблагъэу щытамэ, нэгъабэ ар проценти 8,9-м нэс ехащ. А псоми къыдэкIуэу къэдгъэлъэгъуэнщи, нэгъабэ республикэм щыпсэухэм я хэхъуэм зыхэпщIэу зиIэтащ. Къапщтэмэ, ику ит лэжьапщIэр сом мин 12-рэ сом 423-рэ хъуащ, 2011 гъэм елъытауэ ар процент 26-кIэ нэхъыбэщ. Экономикэм зиIэтыным, инвестицэу кърашалIэм хэгъэхъуэнымкIэ республикэм къалэн пыухыкIахэр зыхуегъэувыж. Нэхъыбэу зытрагъэщIэнухэм ящыщщ агропромышленнэ, курорт унэтIыныгъэхэр, хьэрычэт курытымрэ цIыкIумрэ зегъэужьыныр. Псом я щхьэжыр цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ. Лэжьыгъэшхуэ йокIуэкI сыт хуэдэ унэтIыныгъэхэми зэманым къигъэув, фIы къызыпэкIуэну зэхъуэкIыныгъэщIэхэр хэлъхьэным, щэнхабзэм и IэнатIэ псоми зегъэужьыным. Урысейми хуэдэу, егъэджакIуэхэм, узыншагъэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм зэрыхагъэхъуэным гулъытэ хуащI. Къэдгъэлъэгъуа гугъуехьхэр республикэм къыщызэнэкIыным я лъэныкъуэкIэ псом япэу властымрэ жылагъуэмрэ зэдэууэ япэкIэ зэрыкIуэтэным яужь итын хуейщ. КъыкIэлъыкIуэу ди лъахэм и зыужьыныгъэм дежкIэ нэхъыщхьэр мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ ди щIыналъэм щытепщэнырщ. Дызэкъуэтмэ, сыт хуэдэ гугъуехьри къызэдэнэкIыфынущ. Мамырыгъэ, узыншагъэ, фIыуэ тлъагъу, дызэрыгушхуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэмрэ зэIузэпэщыгъэмрэ хуэунэтIа ехъулIэныгъэщIэхэр фиIэну си гуа-пэщ. Псалъэмакъым къыпищащ КъБР-м и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт. Профсоюзхэм я дежкIэ май махуэшхуэр — ар гуащIэрыпсэухэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ. ЦIыху мелуан куэд зыхэт нобэрей Iуэхугъуэр зэрыщыту Урысейм, дунейм и къэрал куэдым щокIуэкI. Зэрыщыту къэралым и гуащIэрыпсэухэр нобэ къыдэкIащ я социально-лэжьыгъэ хуитыныгъэхэр, экономикэ и лъэныкъуэкIэ я сэбэп зыхэлъхэр хъумэныр къагъэуву: яхуэфащэ лэжьапщIэ, IэнатIэ тэмэм, лэжьыгъэ шынагъуэншэ, зэгухьэныгъэхэмрэ профсоюз щхьэхуитхэмкIэ цIыхубэм я хуитыныгъэхэм тетыным хущIэкъуу. КъБР-м и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм а Iуэхугъуэхэр деIыгъ. ИпэжыпIэкIэ, зыхуей хуэза лэжьыгъэ нэсыр иджырей социально-экономикэ зыужьыныгъэм и лъабжьэщ. Профсоюзхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, гулъытэ хэха зыхуащIщ лэжьакIуэм и экономикэ хуитыныгъэр къызэзыгъэпэщ хуэфащэ улахуэ Iэрыхьэныр. АрщхьэкIэ, нобэ улахуэмрэ цIыхур псэун папщIэ Iэмал имыIэу зыхуеинумрэ зэлъэщIыхьэркъым, иджырей уасэхэм хуэкIуэркъым. Окладымрэ тариф ставкэмрэ, штатнэ расписанэм ипкъ иткIэ, цIыхур лэжьыгъэкIэ къызэзыгъэпэщым игъэув улахуэм и Iыхьэщ. Ар федеральнэу ягъэува улахуэ нэхъ мащIэм и кIэ кIуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Сыт щыгъуи профсоюзхэр гуащIэрыпсэухэм, лэжьакIуэбэм и къыщхьэщыжакIуэщ. Дэ сыт щыгъуи дыхущIэкъунущ фи хуитыныгъэхэр хъумэным, фи сэбэп зыхэлъхэр пхыгъэкIыным, — жиIащ профсоюз Iэтащхьэм. Махуэшхуэ зэхыхьэм кърихьэлIа щIалэгъуалэм, студентхэм я цIэкIэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ, я Iуэхур зыгъэкIуатэ республикэм и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ, сыткIи я щапхъэ, нэхъыжьыфIхэм, ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм пэплъэ, май махуэшхуэм теухуа гукъэкIыжыфIхэр къызыдекIуэкI Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм ехъуэхъуащ КъБР-м и профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм и ЩIалэгъуалэ советым и унафэщI Лу Азэмэт. Зауэм и ветераным и гукъэкIыж гъэщIэгъуэнхэр. Налшык щагъэлъапIэ Май махуэшхуэр. — Псори дыщыгъуазэщ зэрыщыту къэралми хуэдэу, ди лъахэм гъащIэр зэрыщефIакIуэм, политикэ, экономикэ, социальнэ зэхъуэкIыныгъэфIхэр зэрыщекIуэкIым, — жиIащ абы. — Гулъытэ хэха егъуэт щIалэгъуалэ политикэмрэ ар пхыгъэкIынымкIэ гугъуехьхэр къызэнэкIыным. Апхуэдэу щытми, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм IэнатIэ ягъуэтыркъым, лэжьапIэншагъэм зэрыхэхъуэм къыхэкIыу, нэгъуэщI щIыналъэхэм куэд кIуэн хуей мэхъу. Жылагъуэмрэ властымрэ я къарур хузэщIагъэуIуапхъэщ къэралым и къэкIуэнур зэлъыта щIалэгъуалэм я гугъуехьхэр зэфIэхыным. Абыхэм я нэхъыбэм къагуроIуэ, зэхащIыкI яфI зыхэлъу хузэфIаххэр. Жылагъуэм и зы Iыхьэу щыт дэ щIалэгъуалэм къыдгуроIуэ республикэм лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр, зэгурыIуэныгъэр, мамырыгъэр щыхъумэн зэрыхуейр икIи абы жыджэру дыхэтщ. Дэ диIэщ дызэрыгушхуэн, нэхъыщхьэращи, дызэлэжьын. Апхуэдэу щыщыткIэ, дызэкъуэту экономикэр къэдвгъэIэт, граждан жэуаплыныгъэр зыхэтщIэу, экстремизмэмрэ радикализмэмрэ дыпэщIэвгъэт, Къэбэрдей-Балъкъэрым жылагъуэ зэгурыIуэныгъэр щыдвгъэгъэбыдэ. АдэкIэ пэкIум къыщеджащ социально-экономикэ хуитыныгъэхэр хъумэным, цIыхум хуэфащэ лэжьыгъэрэ улахуэрэ иIэным, пенсэ зэхъуэкIыныгъэхэм тещIыхьа, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа резолюцэм. Ар даIыгъащ кърихьэлIахэм. АдэкIэ утыкур хуит хуащIащ Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэм зэхуишэсахэм я гукъыдэжыр къэзыIэта, я нэгу зезыгъэужьа Къэбэрдей-Балъкъэрым и артист цIэрыIуэхэм. Концертыр къызэIуахащ КъБР-м, ди къуэш, гъунэгъу республикэхэм я цIыхубэ артистхэу Нэхущ Чэримрэ Лосэн Тимуррэ, «Тэрч къэзакъхэр» уэрэдымрэ къафэмкIэ ансамблым. Iэгуауэ хуаIэтащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артистхэу Батыр Мухьэдинрэ Ташло Алийрэ, Музыкэ театрым и солист Хуламханов Къайсын, КъБКъУ-м и «Кал-листо» къафэмкIэ театрым, «Нал цIыкIу» сабий ансамблым, нэгъуэщIхэми. Махуэшхуэ зэхыхьэр пщыхьэщхьэ хъуху екIуэкIащ. Уэрдокъуэ Женя. Сурэтхэр Мамий Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27424.txt" }
«Спартак-Налшык» — «Сибирь» (Новосибирск) — 2:0 Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012 — 2013 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, дыгъуэпшыхь Налшык щекIуэкIа зэIущIэм апхуэдэ бжыгъэ кърикIуащ. Ди щIалэхэм ящыщу топхэр дагъэкIащ Медведев Алексейрэ Аверьянов Алексейрэ. «Спартак-Налшыкымрэ» «Сибирь»-мрэ я зэIущIэр зэрекIуэкIамрэ зи чэзу джэгугъуэм и ужькIэ турнир таблицэм игъуэта теплъэмрэ ятеухуа тхыгъэ ди газетым тетынущ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27435.txt" }
Нобэ Радиом, связым и IэнатIэ псоми я лэжьакIуэхэм я махуэщ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр къыщызэрагъэпэща махуэщ Жьы къызыпиубыдхэм я дунейпсо махуэщ 1895 гъэм урыс инженер Попов Александр япэ радиоприемник къигупсысащ. 1927 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и япэ нэтынхэм щIидзащ. 1985 гъэм Налшык Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ. 1990 гъэм КъБР-м и «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном Чэгъэду Владимир и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу. Адыгейм щыщ мэкъумэшыщIэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Инэмыкъуэ КIунац и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Балэ Иринэ къыщалъхуа махуэщ. УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ Къалмыкъ Кларэ къыщалъхуа махуэщ. КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къудей Владимир и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 — 19, жэщым градус 14 — 16 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27438.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал чэнджэщэгъум и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ 1. Къэрмокъуэ Хьэчим Мухьэмэд и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал чэнджэщэгъуу гъэувын. 2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 29-м №67-УГ Вербицкий А. И. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэ фIыщIэшхуэ зэрыщиIэм икIи илъэс куэд лъандэрэ дагъуэншэу къэрал къулыкъур зэрырихьэкIым папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын Вербицкий Алексей Иван и къуэм — Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м №69-УГ Мэшыкъуэ Б. М. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ Связым и Iэмэпсымэхэм зегъэужьынымрэ егъэфIэкIуэнымкIэ бгъэдэлъ фIыщIэм, илъэс куэд лъандэрэ тэмэму зэрылажьэм папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын Мэшыкъуэ Барэсбий Мурид и къуэм — «Ростелеком» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и Къэбэрдей-Балъкъэр IуэхущIапIэм и унафэщIым. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м №70-УГ Къэшэж Къ. Хь. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ Илъэс куэд лъандэрэ дагъуэншэу къулыкъум зэрыпэрытым папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын Къэшэж Къасым Хьэрун и къуэм — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комиссариатым и юридическэ къудамэм и унафэщIым. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м №72-УГ Щокъарэ З. А. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ Илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэр, республикэм властымрэ управленэмкIэ и органхэр тэмэму зэдэлэжьэныр къызэгъэпэщыным къаруушхуэ зэрырихьэлIам папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын Щокъарэ Заур Iэбубэчыр и къуэм — Iэпхъуэшапхъуэхэм я IуэхукIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм паспорт Iуэхумрэ регистрацэ лэжьыгъэмрэ къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м №73-УГ Жамборэ А. Ч. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр фIэщыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ Илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм, и IэщIагъэм зэрыхуэIэзэм, республикэм и псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм зегъэужьыным къаруушхуэ зэрырихьэлIам папщIэ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр фIэщын Жамборэ Анатолэ Чыбраун и къуэм — «Хуабэсервис» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и генеральнэ директорым. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен Налшык къалэ 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м №74-УГ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27441.txt" }
КъБР-м и Iэтащхьэм и дамыгъэ лъапIэр «Къэралым и хъумакIуэ органхэм я зэдэлэжьэныгъэм зегъэужьыным езым и щхьэкIэ куэд зэрыхищIыхьам папщIэ» КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къыхуагъэфэщащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ хъумакIуэ къулыкъущIапIэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр — «Дзэ зэныбжьэгъугъэ» медалыр. Абы теухуа унафэм Iэ щIидзащ а IуэхущIапIэм и унафэщI Муров Евгений. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27444.txt" }
КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ я нэтынхэр 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, накъыгъэм и 13 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Музейхэр» (12+) 7.40 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр». 8.10 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.30 «УсэбзэкIэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.40 «ЩIэныгъэлI». Химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Алэкъей Лерэ (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 18.00 Мультфильм 18.10 «Си къалащхьэ». Осетие Ищхъэрэ — Аланием и «Иринформ» хъыбарегъащIэ агентствэм и нэтын 18.20 «Алан той». КъБР-м и цIыхубэ артист Газаев Алим и концерт. Япэ Iыхьэ (12+) 19.25 «Утыку». УФ-м щIыхь зиIэ и артист Бапинаев Зариф (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.00 «ЩIыуэпс». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.30 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Нэхущ Заурбий 21.00 «Черкасскэхэр Урысейм и тхыдэм къызэрыхэщыр». Документальнэ нэтын. «Марие». Япэ фильм (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Гъубж, накъыгъэм и 14 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт-нэгузыужь программэ (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 Балъкъэр лъэпкъ шхыныгъуэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.25 «Ойнай-ойнай…». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) 8.40 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэгузегъэужь программэ (адыгэбзэкIэ) (6+) 9.05 «Кавказ пшэплъхэр» къофэ». Концерт. Япэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) 18.00 Мультфильм 18.20 «Алан той». КъБР-м и цIыхубэ артист Газаев Алим и концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 19.25 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 19.45 «Гъунапкъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.15 КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ и концерт (адыгэбзэкIэ) (16+) 21.10 «Черкасскэхэр Урысейм и тхыдэм къызэрыхэщыр». Документальнэ нэтын. «Темрыкъуэ и къуэхэр». ЕтIуанэ фильм (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Бэрэжьей, накъыгъэм и 15 7.00 «Тайм-аут». Спорт тележурнал (12+) 7.15 СурэтыщI Будаев Сулеймэн (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Ретроспектива». «Взгляни на мир» телефильмыр (16+) 8.05 «Унагъуэ». Новэ-Балъкъэр къуажэм щыпсэу Текуевхэ я унагъуэр (балъкъэрыбзэкIэ) (I2+) 8.35 «Нанэ и псэ». Адэ-анэхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (16+) 9.05 «Кавказ пшэплъхэр» къофэ». Концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) 18.00 Мультфильм 18.15 Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу. «Къэбэрдейм и иужьрей уэлий». Жанхъуэт Кушыку (12+) 19.25 Мультфильм 19.35 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.05 «Нобэ, пщэдей…». Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.30 «Жылагъуэм и сэбэп зыхэлъ». Нэтыным хэтщ цIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ къэрал комитетым и унафэщI Тхьэгъэлэдж Зубер (16+) 21.00 «Черкасскэхэр Урысейм и тхыдэм къызэрыхэщыр». Документальнэ нэтын. «Къамболэт и къуэхэр». Ещанэ фильм. Япэ Iыхьэ (16+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» 21.40 ХъыбарыщIэхэр Махуэку, накъыгъэм и 16 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Зэманымрэ цIыхумрэ». «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэ Тхьэзэплъ Хьэсэн (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Ретроспектива». «Танзиля» телевизионнэ фильмыр 8.05 «Бэрэжьей пщыхьэщхьэм Баразбиев Исмэхьил дригъусэу» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.35 «ЩIалэгъуэ». ЩIалэгъуалэм папщIэ программэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.05 «Кавказ пшэплъхэр» къофэ». Концерт. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.10 «Си гъащIэр си уэрэдщ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэгъэлэдж Светланэ и концерт. ПэщIэдзэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.25 «Гупсысэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 19.45 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.15 «Музейхэр» (12+) 20.40 «Шэрджэсхэр. ЗауэлIхэмрэ IэщIагъэ зэхуэмыдэхэм хуэIэкIуэлъакIуэхэмрэ». Щоджэн Жаннэ и сурэт альбомыр утыку кърахьэ (12+) 21.10 «Черкасскэхэр Урысейм и тхыдэм къызэрыхэщыр». Документальнэ нтын. «Къамболэт и къуэхэр». ЕплIанэ фильм. ЕтIуанэ Iыхьэ (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Мэрем, накъыгъэм и 17 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Нэхъ лъапIэ дыдэр» (16+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «Зэчийр и Iэпэгъуу». СурэтыщI Зэхъуэхъу Валерэ (16+) 8.05 «Гъунапкъэхэр». Тележурнал (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.35 «ГуащIэм фIыщIэ пылъщ». Кугъуэт Хьэзрэталий (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.15 «Гум и джэ макъ». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бетыгъуэн Iэуес и пшыхь (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 Мультфильм (6+) 18.10 «Си гъащIэр си уэрэдщ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэгъэлэдж Светланэ и концерт. КIэухыр (адыгэбзэкIэ) (I2+) 19.25 «ФIыуэ слъагъу уэрэд». Концерт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.55 «Лъэпкъ гупсысэхэр». Уджыхъу Ихьсан (Германие) (адыгэбзэкIэ) (16+) 20.25 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.10 «Черкасскэхэр Урысейм и тхыдэм къызэрыхэщыр». Документальнэ нэтын. «Жылэгъуэт и къуэхэр». Етхуанэ фильм (16+) 21.40 ХъыбарыщIэхэр Щэбэт, накъыгъэм и 18 7.00 Мультфильм (6+) 7.10 «Мыхъур». Тележурнал (12+) 7.40 ХъыбарыщIэхэр 7.55 «УэрэджыIакIуэ». Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и артист Мусукаев Руслан (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.25 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ) (6+) 8.35 «Гъуазджэм и дуней» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 16.40 Мультфильм (6+) 16.50 «Гъуэплъыфэ уафэ». Сабийхэм папщIэ спорт-нэгузыужь программэ (12+) 17.05 «Чемпионхэр». КъБР-м и физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шыд Хъусен (16+) 17.30 Къафэм и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ концерт. ПэщIэдзэр (12+) 18.35 «Iущыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 18.55 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 19.10 «Ди къэкIуэнур зейхэр» (адыгэбзэкIэ) (I6+) 19.40 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 19.55 «ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэ. Тхыдэмрэ иджырей зэманымрэ» (16+) 20.25 «Черкасскэхэр Урысейм и тхыдэм къызэрыхэщыр». Документальнэ нэтын. «Къэбэрдеипщхэм я щIэблэр». Еханэ фильм. (16+) 21.00 «49-нэ каналым и пощт» (12+) Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 19 7.00 Мультфильм (6+) 7.15 «Мамырыгъэм хуэлажьэ гъуазджэ». Абхъаз Республикэм и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ (12+) 7.45 «Зэчиймрэ Iэзагъэмрэ». Япэ балъкъэр драматург, режиссер Геляев Рэмэзан теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.15 «Ыйыкъ». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) 8.30 «Урысейм къулыкъу хуащIащ». Аушыджэр къуажэм щыпсэу Бицухэ я унагъуэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.55 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) 9.10 «49-нэ каналым и потщ» (12+) 16.50 Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым тхэквондомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэпеуэм. Репортаж (12+) 17.25 Къафэм и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ концерт. КIэухыр (12+) 18.30 «ЦIыху». КъегъэлакIуэ, альпинист цIэрыIуэ Ольмезов Абдул-Хьэлим (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.00 КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Щэрмэт Людмилэ и бенефис (адыгэбзэкIэ) (12+) 19.25 Композитор Жырыкъ Заур итха уэрэдхэр (16+) 19.50 «Абы хуейр псэухэрщ». ТекIуэныгъэм и махуэм и щIыхькIэ ирагъэкIуэкIа автомобиль къызэдэжэ (12+) 20.20 «Черкасскэхэр Урысейм и тхыдэм къызэрыхэщыр». Документальнэ нэтын. «Останкинэ члисэр». Ебланэ фильм 20.40 «49-нэ каналым и пощт» (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» КъБР-м и ТВ Блыщхьэ, накъыгъэм и 13 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 21.15 «Хамэ сабий щыIэкъым» Гъубж, накъыгъэм и 14 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «УпщIэ нагъыщэ». Къэзанш Людмилэ иригъэкIуэкI нэтын 9.30 «Узыншагъэм и щIыналъэ» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 ТекIуэныгъэм и Махуэм ирихьэлIэу. «Ветеранхэр» 21.10 «Тщымыгъупщэн папщIэ» (адыгэбзэкIэ) Бэрэжьей, накъыгъэм и 15 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 ТекIуэныгъэм и Махуэм ирихьэлIэу. «Ветеранхэр» 21.10 «Тщымыгъупщэн папщIэ» (балъкъэрыбзэкIэ) Махуэку, накъыгъэм и 16 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 «Нобэ япщэфIхэр» 9.30 «Узыншагъэм и щIыналъэ» 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 17.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 20.40 «Адэхэмрэ бынхэмрэ» Мэрем, накъыгъэм и 17 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр. 11.30 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ) 11.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр. «Жангылыкъла» (балъкъэрыбзэкIэ) 14.30, 19.40 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.30 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 20.40 «Вояж» Щэбэт, накъыгъэм и 18 8.10, 11.10, 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 10.05 «Нобэ япщэфIхэр» 10.40 «Узыншагъэм и щIыналъэ» Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 19 10.20 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» 14.20 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр ВГТРК-м и радио Блыщхьэ, накъыгъэм и 13 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 Концерт (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 Маммеев Ибрэхьим. «Пщэ псыгъуэ цIыкIу». ГушыIэ рассказ (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Анэм хуэгъэза лъагъуныгъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 13.45 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ». 13.45 — 14.00 Кърым Иринэ уэрэд жеIэ (адыгэбзэкIэ). Гъубж, накъыгъэм и 14 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 КIыщокъуэ Алим. «Елбэздыкъуэ» радиоинсценировкэр (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 МакъыщIэхэр. Холамханов Къайсын (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Тхьэгъэзит Зубер. «Дыгъэмрэ мазэмрэ». 13.25 — 13.45 «Спорт Iуэхухэр». 13.45- 14.00 «Зи чэзу псалъэмакъ». Бэрэжьей, накъыгъэм и 15 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 Концерт (адыгэбзэкIэ). 7.45 — 8.00 «Си адэжь щIыналъэ, си гъащIэр уэрщ» (балъкъэрыбзэкIэ). 10.15 — 10.30 «Ди алыфбейр» (балъкъэрыбзэкIэ). 13.25 — 13.50 «ГъащIэм и гъатхэр щIалэгъуэрщ». 13.50 — 14.00 Къызыдэфэ макъамэхэр. Махуэку, накъыгъэм и 16 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.10 — 8.00 «Жьырытэдж». Нэгузегъэужь нэтын. 10.15 — 10.30 Кулиев Къайсын. «Бгыхэмрэ цIыхухэмрэ» радиокомпозицэр. 13.25 — 13.50 «Дыщалъхуа жылагъуэр». Балъкъэр Ипщэ къуажэдэсхэм ятеухуауэ. ЕтIуанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 13.50 — 14.00 «Усэхэм хухаха дакъикъэхэр». Байзулла Алий. Мэрем, накъыгъэм и 17 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.10, 10.00, 13.10, 16.10, 18.10 7.25 — 8.00 «Жьырытэдж» (адыгэбзэкIэ). 10.15 — 10.30 Концерт. «МакъыщIэхэр». 13.25 — 13.45 Мэзыхьэ Борис. «Сэлэт дамэтелъхэр» рассказыр (адыгэбзэкIэ). 13.45 — 14.00 «Инджылызыбзэр Джэдгъэф Маринэ и гъусэу зыдогъащIэ». Щэбэт, накъыгъэм и 18 10.10 — 11.00 «Кавказ пшэплъхэр». 12.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ). 12.25 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.40 — 13.00 Гуртуев Эльдар. «Шыуан къута цIыкIум и хъыбар» (балъкъэрыбзэкIэ). Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 19 10.10 «КъБР: махуэр махуэм кIэлъыкIуэу». ХъыбарыщIэхэр. 10.25 — 11 00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Концерт 12.10 — 13.00 Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу. Жылэтеж Сэлэдин. «Истамбыл кIуэ гъуэгур» поэмэр (адыгэбзэкIэ). КъБР-м и радио Блыщхьэ, накъыгъэм и 13 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «ЩIэныгъэхэм я дунейм — зыплъыхьакIуэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/14.35 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэпсэлъэгъухэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Утыку» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.25 «Макъамэ яхъумахэр» (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Уэрэдыр тыгъэ фхузощI». КъБР-м и цIыхубэ артист Газаев Алим (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 «Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «КъехьэкI-нехьэкI зыхэмылъ псалъэмакъ» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.35 «Дыхьэшхэным и хъуреягъкIэ» (адыгэбзэкIэ). Гъубж, накъыгъэм и 14 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.48/15.43 «Зэхэфха? Флъэгъуа?» Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зэманыр, къэхъукъащIэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Адыгэхэр: тхыдэр, гъэсэныгъэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.45 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.05/15.20 Балъкъэр цIыхубэ уэрэдхэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.28/15.00 «Школ Iуэхухэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.30 Концерт (урысыбзэкIэ). 12.25/17.00 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.45/14.30 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 14.05/16.35 «Макъамэ калейдоскоп» (адыгэбзэкIэ). Бэрэжьей, накъыгъэм и 15 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.00 «Къонгуроучукъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 8.45/16.22 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Зи чэзу Iуэхум теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/15.45 «Дунеймрэ абы щыпсэу цIыхумрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.32 Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.47/14.50 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 11.05/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.22/15.20 «Сэлам алейкум» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.50 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» (адыгэбзэкIэ). Махуэку, накъыгъэм и 16 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.05 «Дэ къытхуэнар» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «Нэхъыщхьэм теухуауэ — кIэщIу» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм папщIэ ятха пьесэхэр» (урысыбзэкIэ). 9.37/17.42 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 9.47/17.20 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.05/14.35 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ). 10.20/16.35 «Гухэлъ уэрэдхэр». Концерт (адыгэбзэкIэ). 10.45-11.00 «ДунейгъафIэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Лэгъупыкъу» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.25/15.20 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.48/15.43 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Макъамэхэр» (урысыбзэкIэ). 12.25-18.25«Дуней тетыкIэ» (урысыбзэкIэ). 14.05-14.35 «Пшыналъэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). Мэрем, накъыгъэм и 17 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.15/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 8.00/13.35 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/16.25 «Дыщэ пхъуантэ цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.35/15.10 «Уэсылъэ къуршхэм я макъамэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.05 «ГъащIэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.25/17.30 «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ). 10.05 «Эфирыр псоми папщIэ» (адыгэбзэкIэ). 10.25 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (адыгэбзэкIэ). 10.45/14.32 «Таурхъан». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ). 11.05/15.00 «Гуапагъэмрэ уахътыншагъэмрэ ятеухуауэ» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.15/16.05 «Чамхана». ГушыIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ). 11.35/15.32 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.45/15.42 «Щэнхабзэм теухуауэ» (адыгэбзэкIэ). 12.05/17.00 «Гъуазджэм и щIыналъэ» (урысыбзэкIэ). 12.35/18.30 «Сабий сыхьэт» (урысыбзэкIэ). 12.44/18.39 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.05/16.35 «Ди гъусэу зывгъэпсэху» (адыгэбзэкIэ). Щэбэт, накъыгъэм и 18 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.38/13.38 «Вагъуэбэ» (адыгэбзэкIэ). 8.00/15.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.25/15.25 «Айсурат». ЦIыхубзхэм папщIэ радиожурнал (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар» (урысыбзэкIэ). 9.25/18.25 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.45/18.45 «Усыгъэм и сатыр мыкIуэдыжынухэр» (урысыбзэкIэ). 10.00-10.30 «Дэрэжэгъуэ». Нэгузегъэужь нэтын (адыгэбзэкIэ). 10.50/14.30 «Жаншэрхъ». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 11.00/16.00 «Зэныбжьэгъухэм я гушыIэкIэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 11.21/16.21 «Топалайчыкъ». Сабийхэм папщIэ (балъкъэрыбзэкIэ). 11.30/16.30 «Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIу уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.00/17.00 «Гукъыдэж» (урысыбзэкIэ). 12.44/17.44 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 14.00-14.50 «Радиотеатр» (адыгэбзэкIэ). Тхьэмахуэ, накъыгъэм и 19 «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 7.00, 10.00, 11.00, 12.00, 14.00, 16.00, 18.00 7.00/13.00 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ). 7.40/14.40 «Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр» (адыгэбзэкIэ). 8.10/15.10 «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 8.40/15.40 «Гюрен». Спорт хъыбархэр (балъкъэрыбзэкIэ). 9.00/18.00 «Iуэху нэхъыщхьэм теухуауэ» (урысыбзэкIэ). 9.30/18.30 «Дыщыпсэу дунейм» (урысыбзэкIэ). 9.40/18.40 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ). 10.10/14.10 «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ). 10.40-10.58 «Школ Iуэхухэр» (адыгэбзэкIэ). 11.00/16.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ). 12.10/17.10 «Театрыр микрофоным Iутщ» (урысыбзэкIэ). 13.35-14.00 «Сыт хуэдэ зэманми и уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27451.txt" }
ЗэгурыIуэныгъэм и лъахэ КъБР-м ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм дыгъуасэ Iуэху дахэ щекIуэкIащ. Абы щагъэлъэпIащ нэгъабэ ирагъэкIуэкIа «Адэжь щIыналъэ: Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я республикэщ» зэпеуэм щытекIуа журналистхэр. ЗэIущIэр къыщызэIуихым КъБР-м хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин жиIащ зэпеуэр къэзыпщытахэр зи IэщIагъэм хуэIэижь, республикэм фIыуэ къыщацIыху IэщIагъэлI Iэзэхэр зэрыарар, лэжьыгъэ нэхъыфIыр къыхэхыным егугъуу зэрыбгъэдыхьар. — Адэжь щIыналъэм къэзыгъэзэжхэмрэ хамэ щIыналъэхэм щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэмрэ гулъытэ хэхарэ пщIэрэ яхуэщIыным, ахэр адэжь хэкум исхэм яхэсыхьыжыным кIэлъыплъыным теухуауэ зэпеуэм иIэ къалэныр къызыхуэтыншэу гъэзэщIа хъуащ, — жиIащ Къумахуэм. — Радиоми, телевиденэми, газетми я лэжьакIуэхэм Iуэхум фIыуэ зэрыхащIыкIыр, ар жылагъуэм и пащхьэ илъхьэным зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр тлъэгъуащ, зэпеуэм къагъэхьа тхыгъэхэмрэ нэтынхэмрэ къыщытпщытэм. Фи IэщIагъэм и хъер флъагъуу, республикэм и зыужьыныгъэмрэ абы ифI зыхэлъ Iуэхухэмрэ фахуэлажьэу куэдрэ Тхьэм фигъэпсэу! Къумахуэ Мухьэдин «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэ НэщIэпыджэ Замирэ зэпеуэм япэ увыпIэр къызэрыщихьамкIэ йохъуэхъу. Зэпеуэм щытекIуа журналистхэм ехъуэхъуащ КъБР-м хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Жамболэт, ХъыбарегъащIэ политикэмрэ СМИ-мкIэ департаментым и унафэщI Гыллыев Ахъмэт сымэ. Зи гугъу тщIы зэпеуэм «Газетым къытехуа тхыгъэ нэхъыфI» унэтIыныгъэм япэ увыпIэр къыщихьащ «Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкIэ, жылагъуэ, лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI НэщIэпыджэ Замирэ, етIуанэ увыпIэр хуагъэфэщащ «Горянка» газетым и лэжьакIуэ ГъукIэмыхъу Ибрэхьим, ещанэр зэдагуэшащ «Адыгэ псалъэм» узыншагъэр хъумэнымкIэ и къудамэм и унафэщI ЩхьэщэмыщI Изэрэ корреспондент Чэрим Марьянэрэ. Хэкум къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ теленэтын нэхъыфIыр зыгъэхьэзырахэу «1 КъБР» къэрал телерадиокомпанием и режиссер Сэралъп Самарэрэ журналист Жэрыщты За-линэрэ япэ увыпIэр хуагъэфэщащ. ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и лэжьакIуэ Са- банчиевэ Арипа, радио нэтын нэхъыфIыр зыгъэхьэзырар Мэлбахъуэ Ольгэщ. Зэпеуэм къыщыхэжыныкIахэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ. Жэрыщты Залинэрэ Сэралъп Самарэрэ телевиденэм и лэжьакIуэхэм ящыщу япэ увыпIэр къахьащ. Шыпш Даянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27454.txt" }
ХъумапIэ банкым дэрэжэгъуэ къарет Налшык и ХьэтIохъущыкъуей хадэм щекIуэкIащ 2014 гъэм Сочэ щызэхэтыну щIымахуэ Олимп джэгухэм хуэгъэпса «Марафон щхъуантIэ» федеральнэ акцэр. Урысейм и ХъумапIэ банкым къызэригъэпэща къызэдэжэм хэтащ налшыкдэси 100-м щIигъу. Марафоным кърихьэлIащ Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Дол Анжелэ, КъБР-м спортымрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Двуреченский Анатолэ, футболист цIэрыIуэ, Урысейм спортымкIэ и мастер Заруцкий Александр, ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбий сымэ. — Ди банкым къыбгъэдэкIыу сэлам гуапэ фызох, фыкъызогъэблагъэ зи мыхьэнэр ин дыдэ нобэрей марафоным. Ар Сочэ щекIуэкIыну Олимпиадэм ухэзышэу жыпIэ хъунущ. Си гуапэщ дэрэжэгъуэ фхэлъу зэдэжэр евгъэжьэну, ехъулIэныгъэ фиIэну, — яжриIащ къызэхуэсахэм Урысбий Хьэмид- бий. — Нобэрей Iуэху гуапэр ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэ дахащэм зэрыщекIуэкIыр сыт и уасэ, — къыпищащ Заруцкий Александр. — Абы лъэр нэхъри щIегъэкI, гукъыдэжыр къеIэт. ЩIалэгъуалэр куэду къызэрекIуэлIар си гуапэщ. Узыншагъэр хъумэным и телъхьэхэр мыпхуэдэ зэхыхьэхэм хуабжьу егъэгушхуэ. — Урысейм и ХъумапIэ банкым и зэфIэкIым куэду зэрыхэхъуар абы къызэригъэпэщ Iуэхугъуэхэм наIуэ къащI. Марафоныр щекIуэкI щIыпIэри псэм фIэфIщ, щIалэгъуалэм я нэгум кърих гуфIэгъуэри гуапэ пщымыхъуу къанэркъым, — къыхигъэщащ Дол Анжелэ. Зэдэжэр зэтрамыублэ щIыкIэ, абыхэм физическэ зарядкэкIэ зыкъызэщIагъэплъащ. ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ ящIыгъуу абы хэтащ сабийхэри зи ныбжь хэкIуэтахэри. Абыхэм ящыщщ географиемкIэ егъэджакIуэу щыта Цегельник Марие. — Си ныбжьыр илъэс 82-рэ хъу пэтми, сэ иджыри жыджэрагъкIэ куэдым сатекIуэфынущ, сыту жыпIэмэ, узыншагъэр хъумэным срителъхьэу сыкъэгъуэгурыкIуащ. Сыхуейщ щIалэгъуалэр спортым, гъащIэ узыншэм къыхуезджэну. Илъэси 100 къэзгъэщIэну, си юбилейм фыкъезгъэблэгъэну сыхуейщ,- яжриIащ Марие спортсмен ныбжьыщIэхэм. Къызэдэжэм хэтахэм ХъумапIэ банкым и аллеем и лъабжьэр ягъэтIылъащ. Марафоныр щIэщыгъуэ ящIащ уэрэдхэмкIэ, къафэхэмкIэ. Утыкур игъэдэхащ «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27460.txt" }
Медведевыр къызыхэкIахэми ящысхьакъым «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Сибирь» (Новосибирск) — 2:0 (1:0). Налшык. «Спартак» стадион. Накъыгъэм и 6-м. ЦIыху 5100-рэ еплъащ. Судьяхэр: Харламов (Мэзкуу), Веретешкин, Гречишкин (тIури Санкт-Петербург щыщщ). «Спартак-Налшык»: Коченков, Засеев, Чернышов, Суслов, Багаев, Чеботару, Коронов, Концедалов (Руа, 80), Гуэщокъуэ (Сирадзе, 46), Аверьянов (Абазэ, 90), Медведев. «Сибирь»: Малофеев, Головатенкэ, Выходил, Гладышев, Шпичич, Макаренкэ, Кабанов (Зиновьев, 77), Скороходов (Дудолев, 82), Шевченкэ, Житнев, Рыжков. Топхэр дагъэкIащ: Медведевым, 53 (1:0). Аверьяновым, 87 (2:0). Дагъуэ хуащIащ: Сусловым, Рыжковым, Выходил, Гладышевым, Головатенкэ. «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ Медведевыр йобгъэрыкIуэ. Аверьяновым (№99) етIуанэ топыр дегъэкI. «Спартак-Налшыкым» мы гъэм дигъэгуфIэ зэпытщ. Япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэжрэ абы зэIущIибгъу иригъэкIуэкIащи, 5-м и хьэрхуэрэгъухэр щыхигъэщIащ, 4-м зэрытегъэкIуакъым. Зэрынэрылъагъущи, ди щIалэхэм къефIэкIыфын иджыри къыкъуэкIакъым. Абы и фIыгъэкIэ налшыкдэсхэм ещанэ увыпIэм зыщагъэбыдащ икIи премьер-лигэм щIэбэнынухэм ящыщ зыщ. Бетэмал, нэгъабэ зэрымыщIэкIэ зыфIагъэкIуэда очко бжыгъэр яIэжатэмэ… АрщхьэкIэ блэкIам къыпхуегъэгъэзэжынукъым икIи щыIэр хъумэн хуейщ. Хэгъэрейхэм емылъытауэ Новосибирск и командэм и Iуэхухэр мы гъэм щIагъуэкъым. Щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр – мылъкур къазэремэщIэкIырщ. Аращ я гъуащхьауэ нэхъыфI Медведев Алексей бэджэнду къыщIыдатари, я тренер нэхъыщхьэу щыта Юран Сергей щIыIукIыжари, турнир таблицэм икухэм щIыфIэмыкIыфри. Апхуэдэу щыт пэтми, «Сибирь»-м джэгугъуэ кIуам премьер-лигэм еIэ Хабаровск и «СКА-Энергия»-р щыхигъэщIат икIи абы хуэсакъын хуейт. Вэсэпшыхьрей зэIущIэм и пэ къихуэу, налшыкдэсхэр и кум щыджэгуну гъуащхьэхъумэншэу къэнащ. Фэбжь ягъуэтат Джудовичрэ Тимошинымрэ, Овсиенкэ Томск къыщрахуати, мы джэгугъуэр блигъэкIырт. Абы къыхэкIыу «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Шыпш Тимур къригъэхьэн хуей хъуащ мы гъэм щIагъуэу имыгъэджэгу Чернышовымрэ Сусловымрэ. Ахэр я къалэнхэм пэмылъэщмэ, АбазэмкIэ ихъуэжыну хьэзырт. Джэгум налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэкIэ къыщIидзащ. Нэрылъагъут ахэр Iэмал имыIэу очкоищым зэрыхущIэкъунур. НэгъуэщIуи хъунутэкъым, сыту жыпIэмэ мы зэIущIэр щыщIидзэм ирихьэлIэу я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэу «СКА-Энергия»-мрэ «Балтика»-мрэ я ныкъуэкъуэгъухэм бжыгъэшхуэкIэ текIуакIэт. ЗыгуэркIэ «Спартак-Налшыкыр» лъэпэрэпамэ, абыхэм ар къызэранэкIыну хьэзырт. ЕбгъэрыкIуэныгъэм дихьэха налшыкдэсхэм хьэщIэхэр япэ дакъикъэхэм яIэщIэкIыным зы мащIэщ иIэжар. АрщхьэкIэ Сусловым «Сибирь»-м и гъуащхьауэр судьям дагъуэ зыхуригъэщIу къигъэувыIащ. АдэкIэ ди щIалэхэм апхуэдэ щыуагъэ зыIэщIагъэкIакъым икIи джэгур иухыхукIэ тепщэныгъэр яутIыпщакъым. Зыр адрейм къыкIэлъыкIуэу абыхэм Iэмал хъарзынэхэр къахукъуэкIырт. Бжыгъэр къызэIуахыну пэгъунэгъуащ Аверьяновыр, Концедаловыр, Гуэщокъуэр, Медведевыр, ауэ сыт щыгъуи зы мащIэ дыдэ зэран къахуэхъурт е хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым Iэзэу зыкъигъэлъагъуэрт. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэщ псори и пIэм щиувэжар. 53-нэ дакъикъэм, ди щIалэхэм я зи чэзу ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зым, Аверьяновыр щхьэкIэ зэуа топыр гъуащхьэм техуэри, къигъэлъеижащ. Абы япэу нэсар Медведевырщ.Ар къызыхэкIахэм зыкIи ящысхьакъым икIи мэкъуауэгъуэм и 5-м здигъэзэжыну (апщIондэхукIэщ бэджэнду къызэрыдатар) «Сибирь»-м и гъуэм топыр дигъэкIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ «Спартак-Налшыкым» и фащэр щыгъыу зыхэта джэгугъуибгъум Алексей еханэу къыщыхэжаныкIащ икIи 2012 — 2013 гъэхэм екIуэкI зэхьэзэхуэм ди гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ щыхъуащ. Иужьрей зэIущIитIым япэ щищурэ текIуэныгъэр зэрыщамыхъумэфар фIы дыдэу зыщIэж налшыкдэсхэр иджы нэхъ зэщIэкъуауэ джэгуащ. Псом япэрауэ, я гъуэм и бгъэдыхьэпIэхэр кърагъэбыдэкIащ, я ебгъэрыкIуэныгъэхэр ямыгъэкIащхъэу. Абы хэтуи, «Спартак-Налшыкыр» ди стадионым мы гъэм щыджэгум ирихьэлIэу, хабзэ зэрыхъуауэ, дунейр къызэIыхьэри, уэлбанэшхуэм къыщIидзащ. Ари налшыкдэсхэм зэран къахуэхъуакъым. 87-нэ дакъикъэм Аверьяновым и Iэзагъ иныр къызыкъуихащ. Ар «Сибирь»-м я гъуащхьэхъумиплIым яIэщIэкIри, лъэщу еуащ. ХьэщIэхэм я гъуащхьэтетым топыр къыщилъэгъуар гъуэм дыхьа иужькIэщ — 2:0. АдэкIэ ущIэгузэвэн щыIэжтэкъым. Мы текIуэныгъэм и фIыгъэкIэ «Спартак-Налшыкыр» ещанэ увыпIэм къыщынащ. Ди щIалэхэм «Томь»-м аргуэру Iэмал иратакъым премьер-лигэм зэрыкIуар игъэлъэпIэну. Езы томскдэсхэри хуэмыхуащ – ахэр Мэзкуу щыIэу «Торпедо»-м къыхигъэщIащ. Иджы къэнэжа джэгугъуищми «Томь»-м щыфIахьрэ ди щIалэхэр щытекIуэмэ, гуп нэхъыщхьэм занщIэу кIуэнур «Спартак-Налшыкращ». Апхуэдэ къэхъуну фIэщщIыгъуейщ, ауэ ар гупсэхугъуэ къозымытщ икIи зэхьэзэхуэр удэзыхьэх зыщIщ. АдэкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ япэ дивизионым хэт языныкъуэ командэхэм вэсэпшыхь ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм: «Енисей» (Красноярск) — «Уфа» (Уфа) — 0:1, «Металлург-Кузбасс» (Новокузнецк) — «Балтика» (Калининград) — 2:5, «СКА-Энергия» (Хабаровск) — «Химки» (Мэзкуу область) — 4:0, «Торпедо» (Мэзкуу) — «Томь» (Томск) — 1:0. «Волгарь» (Астрахань) — «Ротор» (Волгоград), «Шинник» (Ярославль) – «Нефтехимик» (Нижнекамск), «Петротрест» (Санкт-Петербург) — Салют» (Белгород) командэхэр щызэдэджэгуар дыгъуэпшыхьщ. КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэр «Спартак-Налшыкым» Мэзкуу областым щригъэкIуэкIынущ. Накъыгъэм и 14-м ар дэджэгунущ япэ дивизионым къыхэнэн папщIэ бэнэныгъэ гуащIэ езыгъэкIуэкI «Химки» командэм. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27463.txt" }
Щэрмэт Людмилэ и бенефис КъБР-м и цIыхубэ артисткэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актер гъуэзэджэ Щэрмэт Людмилэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ щрикъу махуэм ирихьэлIэу бенефис хуащIащ. Мэлыжьыхьым и 25-м театрым и утыкум кърахьащ цIыхубэм гунэс щыхъуа «Лъагъуныгъэм текIуэда» спектаклыр (Огюстинэ и ролыр щегъэзащIэ). Щэрмэт Людмилэрэ ХьэхъупащIэ ФатIимэрэ. Франджы режиссер, актер, драматург Тома Робер и «Восемь любящих женщин» пьесэм Урысей Федерацэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Фырэ Руслан къытрищIыкIа лэжьыгъэр гъунэгъу республикэхэми мызэ-мытIэу щагъэлъэгъуащ, театр фестивалхэм хэтащ, хамэ къэралхэми яшащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, трагикомедием хэлъщ узыгъэдыхьэшхи, ауэ ар иужькIэ гущIыхьэу къыщIэкIыжу. Мы спектаклыр зылъэгъуа дэтхэнэ зыри щыхьэт техъуэфыну си гугъэщ лэжьыгъэм гушыIэу, гукъыдэжыр къэзыIэту хэлъыр зэрыщыту Людмилэ и ролым зэрыпхыкIым. Псэлъэни хуейкъым Огюстинэ, и плъэкIэ къудейри, и зыIыгъыкIэри дыхьэшхэнщ — ар артист нэсым и зэфIэкIкъэ?! Спектакль нэужьым утыкум къихьащ театрым и артисткэ, пшыхьыр езыгъэкIуэкIа КIэхумахуэ ФатIимэ. Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ Щэрмэт Людмилэ и гуащIэм, ролищэм щIигъу зыгъэзэщIа драмэ артисткэм и зэфIэкIым. Пшыхьым къыщыпсэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Аминат. «Людмилэ зэрыактрисэ зэчиифIэр иджыри зэ ди нэгу щIэкIащ, — къыхигъэщащ абы. — Абы щыгъуэми Щэрмэтым и зэфIэкIым лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ, сыт хуэдэ ролми гъуэзэджэу пэлъэщ артисткэ гъэщIэгъуэнщ ар. Пастернак Борис «Талантыр зэи жьы мыхъу хъыбарыщIэщ» зэрыжиIауэ щытар иджыпсту сигу къэкIыжащ, ахэр гуэхыпIэ имыIэу Щэрмэтым ехьэлIауи къысщохъу. Спектаклым кърихьэлIахэр. Апхуэдэуи зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминэ, Театрым и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Фырэ Майе, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэхэу Дол Анжелэрэ Кучуковэ Мадинэрэ, Аруан район администрацэм и унафэщIым и къуэдзэм и къалэныр зыгъэзащIэ Безыр Маритэ, Щэрмэтыр къыщалъхуа Къэхъун къуажэм и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Жэмыхъуэ Щыхьырбий, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, УФ-м цIыхубэм щIэныгъэ етынымкIэ и отличник Джатокъуэ Юрэ. Езыми и шыпхъу Людмили къабгъэдэкIыу Щэрмэт Мухьэмэд зэIущIэм кърихьэлIа псоми фIыщIэ яхуищIащ. Артисткэр ягъэлъэпIащ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэмкIэ, ахъшэ саугъэтхэмкIэ, удз гъэгъа дахэхэмкIэ. КIэхумахуэм утыкум къригъэблэгъащ Людмилэ и лэжьэгъухэр, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэр. Дэтхэнэ зыми и нэгум къищырт зи махуэр ягъэлъапIэ артисткэр фIыуэ зэралъагъур, абы пщIэ зэрыхуащIыр, и зэфIэкIым зэрыригушхуэр. Япэу псалъэ зрата, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, Адыгэ театрым и актер пажэ Къэжэр Борис жиIэн и куэдт. — Мыбдежым щызэхэтха псалъэ гуапэхэм яужькIэ дэ жытIэну къытхуэнэжыр зыщ: Щэрмэт Людэ фи закъуэкъым зейр, ар дэри дыдейщ, — жиIащ гушыIэу Борис. — Мы сценэжьым артистышхуэ куэд игъэунэхуащ, ди япэ ита артистыфIхэм елъытауэ дэ дызырикIщ, жыпIэми ущымыуэну апхуэдэщ. Абыхэм я лъагъуэм дрикIуэфмэ ди насыпщи, Тхьэм тхузэфIигъэкI. Людэ тфIэфIыпсу дыдолажьэ, фIыуэ долъагъу. Ар нобэ зы бжэщхьэIу гуэрым ебэкъуауэ аращи, иджыри кIыхьу, дахэу, мыбдеж щIэсхэри дэри дигъэгуфIэу куэд и куэдыжрэ дызэдэлэжьэну си гуапэщ. Нэхъыжьым и псалъэр диIыгъащ театрым и актер пажэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Шыбзыхъуэ Басир. КIэхумахуэ ФатIимэ къеджащ КъБР-м и лIыкIуэу Урысей Федерацэм и Президентым деж щыIэ Щоджэн Мухьэмэд и хъуэхъу телеграммэм. Абы итт: «ПщIэ зыхуэсщI Щэрмэт Людмилэ СулътIан ипхъу! Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынохъуэхъу уи творческэ ехъулIэныгъэхэмкIэ. Уи Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ уи лэжьэкIэмрэ наIуэ къащI зыхуейм ерыщу хуэкIуэ цIыху зэпIэзэрыту узэрыщытыр, къыхэпха IэщIагъэм узэрыхуэпэжыр, сценэм къыщыбгъэлъагъуэ образхэмкIэ цIыхухэр фIым къызэрыхуебджэр». Щэрмэт Людмилэ фIыщIэ яхуищIащ пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIа псоми. ИСТЭПАН Залинэ. Сурэтхэр МАМИЙ Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27468.txt" }
Налшык зэхуешэс Налшык къалэ и «Псей щхъуантIэхэр» санаторэм къыщызэIуахащ ныкъуэдыкъуэхэм (тэмэму земыкIуэфхэм) Урысейм шахматымрэ шашкэмкIэ пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ я зэпеуэрэ чемпионатрэ. МахуипщIкIэ зэхэтыну зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 30-м я спортсмен 87-рэ. Мыбы ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьэхэм Европэ, дунейпсо чемпионатхэм кIуэну Iэмал ягъуэтынущ. АфIэунэ Аслъэн и псалъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зэхьэзэхуэм щахъумэнущ Джэдгъэф Чэмал, Андреев Геннадий, КIэдыкIуей Мухьэмэд, Худаевэ-Соловьёвэ Сабинэ, Ульбашевэ Хьэлимэт, Хьэпэ Адил сымэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIыу республикэм спортымрэ туризмэмкIэ и министр АфIэунэ Аслъэн зэпеуэм хэтынухэмрэ хьэщIэхэмрэ фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ. — КъБР-м и Iэтащхьэм пщэрылъ къысщищIауэ мы зэхьэзэхуэшхуэр къызэIусхыныр си гуапэщ. 2008 гъэм Къанокъуэ Арсен и жэрдэмкIэ шахматымкIэ цIыхубзхэм я дунейпсо чемпионат Налшык зэрыщызэхаублар лъабжьэ хуэхъуащ ди республикэм апхуэдэ дунейпсо турнирхэр къыщызэгъэпэщыным. Нэхъапэхэми хуэдэу, иджыри ди зэфIэкI дыщысхьынукъым мы зэпеуэхэр гукъинэж фщытщIын папщIэ. ГуфIэгъуэ зэIущIэр къафэкIэ ягъэдахэ. — Урысейм СпортымкIэ и министерствэм, Зи Iэпкълъэпкъыр къызыдэмыбзхэм спортымкIэ я урысейпсо федерацэм къабгъэдэкIыу зэхьэзэхуэм хэтыну дэтхэнэми ехъулIэныгъэ зыIэрывгъэхьэну, ныбжьэгъу фызэхуэхъуну, дэрэжэгъуэ фиIэну сыныво-хъуэхъу! ФIыщIэ яхузощI къызэгъэпэща-кIуэхэм, «Псей щхъуантIэхэр» санаторэм и администрацэм, — жиIащ Урысейм ныкъуэдыкъуэхэм (тэмэму земыкIуэфхэм) шахматымкIэ я командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Герасимовэ Светланэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхьэщIэну зэригуапэр къыхигъэщащ, зэхьэзэхуэм кърихьэлIа спортсменхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ зэфIэкI яIэну ехъуэхъуащ чемпионатым и судья нэхъыщхьэ Бараманднаев Батыр. ЗэIущIэр ягъэдэхащ «Кавказ пшэплъхэр» къэфакIуэ, «Макъамэ» пшынауэ гупхэм, Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ республикэ уардэунэм и ансамблым, «Арлекин» эстрадэ студием и уэрэджыIакIуэ Ахмедовэ Пинарэ сымэ. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр къапщытэжынущ накъыгъэм и 10-м. Чемпионатым хэт спортсменхэр. Мырзэкъан Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27472.txt" }
Накъыгъэм и 9-м къэIу топ уэ макъ Топ уэ макъыр къэIун и пэ Уафэ джабэм шэр щолыдыр; ЩхъуэкIэплъыкIэу напIэзыпIэм Уафэр тIууэ зэгуоудыр. Нэр пIэпихыу, жэщ уафэгур КъызэщIоблэ — Iугъуэ хэткъым, Ныхуопабгъэ цIыхухэм я гур КъыкIэлъыкIуэ топ уэ макъым. Топ уэ макъыр егуэш тIууэ: Зым ажалыр къыпхуреджэ. УкъызэщIиIэтэу, нэхуу Адрейм гуфIэгъуэм уреджэ. ЖеIэр зым къэхъуауэ зауэ, Бийр ди бжэIум къиувауэ, Къахуриджэурэ псэхэхыр, Уи бын куэд пфIигъэкIуэдауэ. ЕтIуанэ макъым къыдегъащIэ Зэрыгъагъэр ди Хэку гъащIэр, Гъэр дищIыну зи гуращэм Къызэрытетхыфар и Iэщэр. Гъэ куэд дыдэхэр дэкIами, Ди гуфIэгъуэр мыужьых. Хэку зауэшхуэр иухами, Топ уэ макъ иджыри зэхыдох. БЕКЪУЛ Мухьэмэд ТIутI и къуэ. Кэнжэ къуажэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27477.txt" }
Сыхьэт 72-кIэ Лэскэн куейм и еджакIуэхэри ящыщщ «Сы- хьэт 72-кIэ IуэхуфI лэжьын» республикэ Iуэхугъуэм жыджэру хэтахэм. ТекIуэныгъэм и Махуэр гъэлъэпIэныр совет цIыхубэм Хэку зауэшхуэм щихъумэжа и щIыхьыр, щызэрихьа и лIыгъэр, и хахуагъэр къэлъытэным я нэщэнэ хъуащ. Ди насыпщи, ноби Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэр ди гъунэгъуу мэпсэу. Ахэр щалъхуа щIыналъэр, къэралыр сытым дежи фIыуэ зылъагъужхэщ. Хэкум къыщхьэщыжа ди адэжьхэращ тхуэзыхъумар нобэ диIэ, дызэрыгушхуэ гъащIэр. Псэемыблэж гъэунэхупIэм ди нэхъыжьыфIхэр зэрипсыхьам, ягури я псэри лъэщагъ гуэркIэ зэригъэнщIам шэч къытетхьэркъым. ТекIуэныгъэм и Махуэр илъэс 68-рэ зэрырикъум теухуауэ ирагъэкIуэкI гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, къытщIэхъуэ щIэблэм жыджэрагъ яIэу гъэсэнымрэ щIалэгъуалэр жылагъуэ IуэхущIафэхэм дегъэхьэхынымкIэ Лэскэн муниципальнэ куейм хыхьэ къуажэ псоми «Сыхьэт 72-кIэ IуэхуфI лэжьын» Iуэхугъуэ щрагъэкIуэкIащ. Тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ, ТекIуэныгъэм и Махуэм ирихьэлIэу, «Урысей зэкъуэтым и щIэблэ», Урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэмрэ куейм ис еджакIуэ цIыкIухэмрэ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм къуажэхэм щыхуа- гъэува фэеплъхэр зэлъыIуахащ, ягъэкъэбзащ, ихъуреягъым жыгхэм- рэ удз гъэгъахэмрэ ха-сащ. Мы зэманым Лэскэн районым Хэку зауэшхуэм и ветерану 13 щопсэу. ТекIуэныгъэм и Махуэм и пэ къихуэу, куей щIалэгъуалэр абыхэм я унагъуэхэм щыIащ, зэра- хузэфIэкIкIи ядэIэпы- къуащ. Шэрджэс Залинэ, Лэскэн куейм и щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27479.txt" }
Зауэм и бынхэр Хэку зауэшхуэр щыщIидзам си ныбжьыр илъэси 8 ирикъуати, сощIэж а зэманым екIуэкIар. Япэ махуэхэм къытщыхъуащ зауэр дэ къытлъэмыIэсыну. Нэхъри гукъыдэжыфI диIэт, ди къуэш нэхъыжь КIыщыкъуэ къуажэм и тхыдэм щыяпэу курыт школыр къэзыухахэм ящыщти. Зеикъуэ псом зыхуигъэхьэзырырт мэкъуауэгъуэм и 21-м ирырагъэхьэлIа а гуфIэгъуэм. Куейм къикIыну хьэщIэхэми цIыхухэр япэплъэрт. А зэхыхьэр мэкъуауэгъуэм и 22-м и пщэдджыжьыр къэсыху екIуэкIащ. ИтIанэ къэтщIащ нэмыцэ фашистхэр СССР-м къызэрытеуар. Зы тхьэмахуэ дэкIри, КIыщыкъуэ фронтым яшащ. Зауэр иуха нэужь, абы капитану къигъэзэжащ и бгъэм Хэку зауэм и орденищ, Вагъуэ Плъыжь орденыр, медалитху хэлъу. ИужькIэ коммунист партым и Тэрч райкомым и япэ секретару, обкомым и мэкъумэш къудамэм и унафэщIу, секретару, илъэс 22-кIэ республикэм и Министрхэм я Советым и УнафэщIым и япэ къуэдзэу, унафэщIу лэжьащ. Зауэм щIидзэри, тхьэмахуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу, къуажэдэс цIыхухъухэр дзэм ираджэу хуежьащ. Зэхэуэ гуащIэм зи адэхэр, къуэхэр, къуэшхэр, щхьэгъусэхэр зымыгъэкIуа унагъуэхэр къэгъуэтыгъуейт. Языныкъуэхэм деж адэхэр дэкIырт я къуэхэр я гъусэу. Къуажэм унагъуищэхэр дэст фронтым цIыху зыбжанэ ягъэкIуауэ. А псоми я бэлътоку цIыкIухэм кIуэцIашыхьырт щIы Iэбжьыб. Сэ сызыщалъхуа Зеикъуэ къуажэм дэкIри, зауэм кIуащ цIыху 1600-рэ. Абыхэм ящыщу 680-м я гъащIэр ятащ. ЗауэлIхэм я Iыхьлыхэр пэплъэрт ирагъэжьахэм я хъыбар пощтзехьэм къахуихьыну, арщхьэкIэ нэхъыбэу къаIэрыхьэр ахэр зэрыхэкIуэдам теухуа хъыбар гуауэт. Къуажэм зэпымыууэ щызэхэпхырт гъы макъ. Мис абы щыгъуэщ дэ, щIалэ цIыкIухэм, зауэр зищIысыр къыщытщIар. Къуажэм къыдэнэжар лIыжьхэм, цIыхубзхэм, сабийхэм я закъуэт. Къэралым хабзэ ткIий щагъэуват. Абы къикIырт ди сабиигъуэ насыпыфIэм кIэ игъуэтауэ. Дэ, балигъ ныкъуэхъухэр, дымэжалIэу, дыпIыщIэу, языныкъуэхэм деж бомбэхэр къытхадзэу губгъуэм дыщылажьэрт. АрщхьэкIэ псэкIэ зыхэтщIэрт ТекIуэныгъэр къэдгъэблагъэу фронтым дызэрыдэIэпыкъур. Пасэу балигъ ныбжьым иува дэ абы къару къытхилъ- хьэрт. Илъэс 12 — 15 зи ныбжьхэр зыгъэпсэхугъуэ зэманым колхозым дыщылажьэрт, апхуэдэу дыкъаутIыпщырт гъавэ щыIуахыжкIэ, мэкъумылэхэр щагъэхьэзыркIэ, жылэхэр щытрасэкIэ. НэхъыщIэ дыдэхэм сащыщти, сэ лэжьыгъэ хьэлъэм срашалIэртэкъым. Къалэн къысщащIат хэкIуэда сэлэтхэм я унагъуэхэм шэрэ шхурэ яхуэсшэну. Абы папщIэ шыдыгу къызагъэбыдылIат. Километри 10-кIэ къуажэм пэжыжьэ фермэм махуэ къэс ахэр къисшын хуейт. Дунейр щыуэтIпсытIым и деж щIыпIэ зэгъуэкIым ущызекIуэну шынагъуэт, абы къыхэкIыуи сыщригъажьэкIэ си анэм щэхуу и нэпсхэр щIилъэщIыкIырт. АрщхьэкIэ сабий зеиншэхэр гъэшыншэу къэбгъанэ хъунутэкъым, нэгъуэщI ерыскъы яIэтэкъыми. Абы къыдэкIуэу унагъуэ Iуэхури зэфIэдгъэкIырт — пхъэгъэсынхэр, мэкъу, псы къэтхьырт, Iэ щхьэл цIыкIухэмкIэ гуэдзыр тхьэжырт, нартыхур дгъэлъалъэрт. А псоми къадэкIуэу, школми дыщеджэн хуейт, щIэныгъэншэу дыкъэмынэн пап- щIэ. Мис апхуэдэу дыкъэхъуащ зауэм хиубыда сабийхэр. Абы щыгъуэм зэфIэзгъэкIахэм «Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм фIы дыдэу зэрылэжьам папщIэ» медалыр къыпэкIуащ. Ди сабиигъуэр хьэлъэу щытами, дэ къытхэкIащ егъэджакIуэ, IэщIагъэлI Iэзэхэр. Абыхэм жылагъуэм пщIэшхуэ щагъуэтащ. Езы Сталиным жиIэгъащ «рабочэхэм, мэкъумэшыщIэхэм я псэемыблэж лэжьыгъэм ди ТекIуэныгъэр елъытауэ зэрыщытар». ЦIыхум имыщIэж хабзэщ Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр. АрщхьэкIэ зи сабиигъуэр зауэ илъэсхэм хиубыдахэм абы щыгъуэм ди нэгу щIэкIар зэи тщыгъупщэжынукъым. Ди ТекIуэныгъэ Иным СССР-м и цIыху мелуан 20-м щIигъум я гъащIэр щIатащ. ЩIызгъужыну сыхуейт сэ сызыщыщ Къущхьэхэ я лъэпкъым къыхэкIа цIыху 400-м нэблагъэм псори зэхэту правительственнэ дамыгъэу 1400-рэ къызэрыхуагъэфэщар. Хэку зауэшхуэм щыIахэм ящыщу 60-м унафэщI къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр яIыгъащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ТекIуэныгъэм и мыхьэнэр зыгъэлъэхъшэну, нэгъуэщIу къыщIезыгъэдзыну хущIэкъухэр щыIэщ. Ар дигу тедгъахуэ хъунукъым. КъытщIэхъуэ щIэблэм ящIэн хуейщ блэкIам теухуа пэжыр. Къущхьэ Мухьэжид, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран, УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я энергетик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27481.txt" }
ГуфIэгъуэрэ гукъыдэжкIэ гъэнщIа Хэку. Дэтхэнэми и гум гуапэу щегъафIэ а псалъэр. Абы къыпкърокI адэжь лъапсэм, анэ гумащIэм, сабиигъуэр щыкIуа щIыпIэм епха гукъэкIыжхэр. Нало Аскэрхъан Накъыгъэм и 9-м зыхуагъэхьэзыр ди Хэкум ис дэтхэнэ унагъуэми, Урысей Федерацэм и цIыху псоми. Псом хуэмыдэу ар къызэрыблагъэм егъэпIейтей 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа зауэм и ветеранхэр. ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр илъэс 68-рэ зэрырикъум хуэгъэпса Iуэхугъуэхэр щаубзыхуащ КъБР-м и Хабзэхъумэ IэнатIэхэм, къэрал кIуэцIыдзэхэм я ветеранхэм я советым, полковник Думай Борис зи тхьэмадэм, УФ-м и МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм и ветеран зэгухьэныгъэм и унафэщI подполковник Демьяненкэ Эдуард и жэрдэмкIэ, ветеран нэхъ жыджэрхэм УВД-м и лэжьакIуэ щIалэхэм, школхэм я еджакIуэхэм ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм теухуа псалъэмакъ щхьэпэхэр драгъэкIуэкIащ, адэкIи къыпащэну я мурадщ. Хэку зауэшхуэм совет цIыхубэм къыщихьа ТекIуэныгъэ иным и гугъу пщIыкIэрэ, япэ дыдэу гулъытэ хуэщIыпхъэщ зи сабиигъуэр, зи къэжэпхъыгъуэр а зэман гущIэгъуншэм хиубыдахэм я гукъэкIыжхэм. 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22 махуэр абыхэм я гум къинащ. Фронтым дэкI адэхэм, къуэш нэхъыжьхэм, дэлъхухэм ахэр зэман мыбелджылыкIэ е игъащIэкIэ пэIэщIэ яхуэхъурт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ныбжьыщIэ мелуанхэм я сабиигъуэ дахэр къызэпиудащ, куэд зеиншэу, унагъуэ насыпыр зыхэзыщIэну хунэмыса цIыхубз щIалэхэр игъащIэкIэ фызабэу къигъэнащ а зауэ гущIэгъуншэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху мин 60-м щIигъу Хэку зауэшхуэм щхьэмыгъазэу хэтащ. Абыхэм ящыщу мин 40-м щIигъум я псэр ятащ. Абыхэм я фэеплъыр республикэм щыпсэухэм игъащIэкIэ я гум илъынущ. КъБР-м и цIыху 33-м «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ, 9-р «ЩIыхь» орденым и нагъыщэ псори къыхуагъэфэщащ. Ветеранхэр сыт щыгъуи хущIокъу ди цIыхухэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр ди щIэблэм я деж нэхьэсыным, ахэр Хэкур фIыуэ лъагъуным къыхуэгъэушыным, ипэжыпIэкIэ хэкупсэу, пэжыр я гъуазэу къэтэджыным хуэущиинымкIэ Iуэхугъуэхэр ирагъэкIуэкIыным. ФIыщIэ хуэщIыпхъэщ зауэм и илъэс лыгъэхэр къызэзынэкIахэм я жэрдэмыр сыт и лъэныкъуэкIи дэзыIыгъ, УФ-м и МВД-м и IуэхущIапIэу Налшык къалэ щыIэм и унафэщI, полковник ДыщэкI Назир. ЩIалэгъуалэм зыхегъэщIапхъэщ текIуэныгъэ къытхуэзызэуа лIыхъужьхэм абы щIата уасэм и лъапIагъыр. Абы къегъэув щIэблэм псалъэмакъ щхьэпэхэр ядегъэкIуэкIыныр, зауэм и ветеранхэмрэ еджакIуэхэмрэ нэхъыбэIуэрэ зэIугъэщIэныр, «ЛIыхъужьыгъэм и дерс» зэхьэзэхуэхэр еджапIэхэм щегъэкIуэкIыныр, хабзэхъумэхэм нэхъыжьхэр щIэх-щIэхыурэ яIугъэщIэныр, абыхэм КъБР-м и щIыпIэхэу зауэ щекIуэкIахэм зыщегъэплъыхьыныр, нэгъуэщI Iэмалхэри къэгъэсэбэпыныр. Мы махуэшхуэм ирихьэлIэу я цIэ къисIуэну сыхуейт ди зэгухьэныгъэм хэт, сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэми жыджэру къыхыхьэ ветеранхэу Нэгумэ М., Къунаш А., Демьяненкэ Э., Уэрыш В., БжэныкIэ В., Мельников М., Алэ- къей М., Къумыкъу А., Шипилов В., Бетрожь Ю., Мэкъуашэ А., Кузьмин Е., Бэрэгъун З., Дьяченкэ М., Жаника- ев М., Жабелов В., Хатчуков М., Хапаев Н., Жабоев Ж., Анахаев Т. сымэ. ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр дыгъэпсрэ гуапагъэкIэ, гуфIэгъуэрэ гукъыдэжкIэ гъэнщIащ. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэмрэ къэрал кIуэцIыдзэмрэ я ветеранхэм я советыр зауэм хэтахэм, республикэм щыIэ МВД-м, УВД-ОВД-хэм, ВВ-м я ветеранхэм, зэрыщыту лъахэм щыпсэухэм ТекIуэныгъэм и махуэ лъапIэмкIэ йохъуэхъу. Дэтхэнэми узыншагъэ быдэ, дэрэжэгъуэ мыкIуэщI, хэхъуэ иIэну ди гуапэщ! Нало Аскэрхъан, КъБР-м и Хабзэхъумэ IэнатIэхэм, къэрал кIуэцIыдзэхэм я ветеранхэм я советым и унафэщIым и къуэдзэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27485.txt" }
Танкхэм я «псэхэх» Зауэ гущIэгъуншэм и гын гуащIэр куэдрэ зыщIихуахэм ящыщщ Бахъсэн щIыналъэм щыщ Ислъэмей къуажэм къыщалъхуа Мэзан Сыхьэт Бэчыр и къуэр. Ар щIэлъэIури, зауэр щыщIидза махуэм фронтым кIуащ, иухыхукIи щыIащ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм езэуащ, лIыгъэ зэрихьащ. Зауэр зэриухыу къуажэм къигъэзэжри, парт организацэм и секретару, ревизионнэ комиссэм, гъавэ хъумапIэм я унафэщIу лэжьащ. Сэ куэдрэ седэIуащ абы и зауэ хъыбархэм. Псом хуэмыдэу си гум къинэжащ Запорожье къалэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм теухуахэр. Топгъауэхэр щагъэхьэзыр школыр Сыхьэт фIы дыдэу къиуха иужь, «Топгъауэ нэхъыфI» дамыгъэр къратащ. Гупыр и пIэ итIысхьэу загъэбыда щхьэкIэ, ахэр нэмыцэхэм я лъэсыдзэмрэ танкхэмрэ къыхагъэзыхьу щIидзащ. Бийр парадым хэтым хуэдэу къакIуэрт: япэ итт десантникхэр, танкхэр, къыкIэлъыкIуэрт бронетранспортёрхэр, лъэсыдзэр, езыр-езыру кIуэ топ лIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэу насыпыншагъэ «гуэшыныр» зи гъуазэу кIуэхэр оркестрт зыхуэныкъуэжыр. Зэуэ къыхэкъугъыкIыу къэIуащ ди топ уэ макъым и «оркестрыр!». Шэрыуэу топхэр бийм и танк щхьэмыгъазэхэм яхэуащ, аргуэру, аргуэру… ИщхьэмкIэ зэрыблэхащ истребителхэмрэ штурмовикхэмрэ. Бомбэхэмрэ топышэхэмрэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм я сатырыр икъутащ. Десантникхэр жыр танкхэм къелъэурэ, шынагъуэ здэщымыIэ щIыпIэм зыщагъэбыдэрт, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, нэмыцэхэм я танкхэм ди сэлэтхэм яхъумэ щIыпIэмкIэ зыкъадзырт. Ахэр къыздикIыну шэч ящI щIыпIэхэр яубзыхуащ икIи абыхэм зэраIущIэнум зыхуагъэхьэзыращ. Ди топхэр «псалъэмакъыншэ» зэрыхъуам нэмыцэхэр къигъэгушхуащ. Ауэ танкхэр здэщыIэ щIыпIэм топышэхэр нэсыну шэч зэращIу, танк «псэхэххэр» тракIутэу щIадзащ. Япэ топышэр фашист бронетранспортёрым техуэри, хьэбэсабэр къыхригъэхащ. ЗэхэфыщIауэ и пIэм ижыхьащ нэгъуэщI зыи. А зэманым ирихьэлIэу къэсащ ди лъэсыдзэ батальоныр икIи кIуэрыкIуэм тету бийм хэуэу щIидзащ. Ауэ нэмыцэхэр ерыщу ипэкIэ кIуэну мэныкъуакъуэ. Абыхэм я танкхэр дыдейхэм яIыгъ щIыпIэм къыщыхутащ. Макъ шынагъуэ ящIу ди лагъымхэр къэуащ. Фашистхэр хьэжэпхъажэ хъуауэ а щIыпIэр къабгынэну хуежьат, ауэ къайхъулIакъым. Зэрызехьэ зэрыхъуар ди щIалэхэм къагъэсэбэпауэ, танкхэр зэтракъутэ, мафIэ лыгъейр ирадзурэ. Ауэ бийм кIуэ пэтми танкыщIэхэр къахуокIуэ. Дапщэ хъурэ ахэр? Ди сэлэтхэм я щыгъынхэр псыф хъуащ, хэщIыныгъи ягъуэтащ, ауэ абы бийм ирадз удыныр зэпагъэуркъым. НапIэзыпIэу тылымкIэ мотор макъ къэIуащ икIи ди штурмовикхэр щIым пэгъунэгъу дыдэу бийм и танкхэм щхьэщылъэтащ, пулеметышэмрэ топышэмрэ тракIутэу. Бомбэ къауэхэмрэ Iугъуэхэмрэ зэхыхьэжри, зэуапIэр кIыфI ищIащ. Кхъухьлъатэхэр зэуэзэпсэу кIуэдыжащ къызэрыунэхуам хуэдэу, Iугъуэ сырымэ къагъанэу. Зауэр зыкIи кIащхъэ хъуркъым. Нэмыцэхэм кIуэ пэтми я къарум къыхэхъуэ зэпытт, ауэ я ебгъэрыкIуэныр сыт щыгъуи зэтещахэрт. Махуэ зыбжанэ дэкIащ ди подразделенэм щIыпIэм зэрызыщигъэбыдэрэ. Япэхэм хуэмыдэу, жэщыр кIыфIт. Зэман-зэманкIэрэ, миномёт уэхэм я макъыр къоIу. Нэмыцэхэр пщIэуэ мэгузавэ, ди цIыхухэмрэ техникэмрэ къазэрыхэхъуэр къагуроIуэри. Ар зылъагъу бийм езым и гъэтIылъыгъэхэр къызэщIекъуэ, къыкIэлъыкIуэ ебгъэрыкIуэныгъэм зыхуищIу. ЖэщкIэрэ гъуахъуэ макъ жыжьэу щызэхыбох: ар нэмыцэхэм я танк подразделенэхэр къагъэIэгъуэу арат. А жэщыр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал имыIэу щымт. Уеблэмэ бийм и ракетэхэри плъагъуркъым. Ауэ арат усакъын щIыхуейр. Зауэр зэманкIэ зэпыуамэ, абы къикIырт бийм зэрымыщIэу удын къуидзыну зэрызигъэхьэзырыр. Нэхущым ди сэлэтхэм къателъалъэу щIидзащ бийм и топышэхэмрэ миномётышэхэмрэ. Дауи, ар зэман щIагъуэтэкъым. «Ди топхэр къеламэ арат! — мэгупсысэ Мэзаныр гузавэу. — Аращ зэлъытар ди къарур, ди текIуэныгъэр». Нэмыцэ кхъухьлъатэхэр архъуанэм хуэдэу кIуэурэ бомбэхэр къакIэрощэщ, ди сэлэтхэм пулемёткIэ къахоуэ. Бийм зауэ хуэIухуэщIэу иIэ псори къигъэсэбэпри, кIэбгъу зищIыжащ. КъэIуащ иужькIэ танк шынагъуэхэм я макъыр. КIуэрыкIуэм здытетым, абыхэм топышэхэр иракъухьурэ ди сэлэтхэм я быдапIэм къозэрыхь. Абыхэм я ужьым итщ лъэсыдзэ бжыгъэншэр. Мис зы танкым и тхыцIэр бгы къуагъым къыкъуэщащ. Ар къэхутакIуэт. Мэзаным унафэ ищIри, абыхэм яхэуат, ауэ зэрыгузавэм къыхэкIыу, зэкIэ зэраныгъэ къихьакъым. Апхуэдэу щыт пэтми, танкхэм бгым зыкъуадзэжащ. Дакъикъэ зытхух дэкIауэ, сержант Мэзаным гу лъитащ абыхэм къызэрыпакIухьым. КъэувыIэжыну мурад зимыIэ танк къажэм Мэзаным и топыр хуигъэзащ. ФIыуэ тригъапсэри, еуащ. Ар зэуа танкыр и пIэм ижыхьащ, «псэ» хэмытыжу. МафIэм ищта танкым къыкъуэцIэфтащ етIуанэр. Абыи и Iыхьэр къылъысауэ, «бауэкIэщIу» ипIэ къинащ. Ауэ угуфIэну иджыри пасэт. Къэна танкищыр абыхэм къахуэблэгъащ. Ахэри икъутащ Мэзаным и батареем, и гъунэгъухэр къыдэIэпыкъуурэ. … Зэман зыбжанэ дэкIа иужь, бийм и танкищым аргуэру къебгъэрыкIуэу щIадзащ. Сержант Мэзаным къыхуэжэ танкхэм топыр яхуигъэзащ. Япэ топышэм танкым и щхьэр триудри, дыкъащ. Адрейхэм я уэныр щагъэтри, бгым зыкъуадзэжащ. АдэкIэ абыхэм ягъэзэжащ, Мэзаным и топхэм натIэкIэ жьэхэуэн шынэри. Абы иужькIэ зауэр адрей батареехэм щекIуэкIащ. ИтIанэ чэзур аргуэру Мэзаным къылъысыжащ. Абыхэм къебгъэрыкIуэу щIадзащ танкищ. «Шынэкъэрабгъэу» къыщIэкIащ ахэр. Пэжу, абыхэм загъэпщкIужыну хунэмысу зы танк «уIэгъэу» къагъэнащ. КъыпфIэщIырт абыхэм я щIакIуэкIапэ теувэным кIэ имыIэу. Аргуэру, аргуэру абыхэм къепщылIэрт псэгъэнхэр. Дакъикъэ дэкIауэ арат абыхэм нэмыцэ танкхэр къахуэкIуэу щыщIадзам. Япэ итыр жыжьэ нагъэсакъым — Мэзаным Iуридза топышэм дэмэхащ. Зауэ щыхъукIэ, зыгуэр хэмыкIуадэу къэхъуркъым. Топышэ къакIуэр топым къытехуэри зы иукIащ, адрейр уIэгъэ ищIащ. — Сыти жыIэ, дэ абыхэм дахурикъуащ, — жиIащ Мэзаным, лъэрыщIыкIыу губгъуэм илъ танкхэм яхэплъэурэ. КъепщIа танкхэр лъэныкъуэ ирагъэзыну хунэса къудейт аргуэру шынагъуэ къащыхукъуэкIам. ЩIыIэпс зэвымкIэ къикIри, взвод хъу автоматчикхэр батареем къеуэу щIадзащ. Уеблэмэ къебгъэрыкIуэну хэтащ, ауэ Сыхьэт и сэлэтхэм нэмыцэхэр щIэх дыдэу я пIэ ирагъэтIысхьэжащ, гранатэ ядзам хэщIыныгъэшхуэ яритауэ. Къэна нэмыцэхэр иужькIэ ныкъуэкъуэжакъым, жэщ зэрыхъуу, IукIыжахэщ. Мис апхуэдэу иухауэ щытащ Мэзаныр нэмыцэ танкхэм щIакIуэкIапэ зэрадытеувар. А зауэм хэтахэм орденхэмрэ медалхэмрэ иратащ. Мэзан Сыхьэт Вагъуэ Плъыжь орденыр и бгъэм къыхалъхьащ. ИужькIи Мэзаныр щIыпIэ куэдым щызэуащ. ЛIыгъэ зэрихьахэм папщIэ къыхуагъэфэщащ орденитIрэ медалихрэ. Къардэн Мухьэмэд. Бахъсэн щIыналъэ, Ислъэмей къуажэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27488.txt" }
Кавказыр зыхъумахэр ящыгъупщэркъым Накъыгъэм и 6-м Iуащхьэмахуэ куейм нэщхъеягъуэ пэкIу щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Iуащхьэмахуэ лъапэ зыхъума совет сэлэтхэм я хьэдэ къупщхьэхэр щIэлъхьэжыным. ПэкIум хэтхэр щызэхуэсащ Терскол дэт къуэшыкхъэм. ПэкIум кърихьэлIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, МВД-м и министр Васильев Сергей, нэгъуэщIхэри. А Iуэхум хэтащ КъБР-м и Правительствэм щыщхэр, Iуащхьэмахуэ район администрацэм, КъБР-м и Гъунапкъэхъумэ IуэхущIапIэм, Дзэ комиссариатым я лIыкIуэхэр. ХэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуащIыну зэIущIэм кърихьэлIащ къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, район жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэр, школакIуэхэр. Кавказыр зыхъумахэм я хьэдэ къупщхьэхэр нэгъабэ къагъуэтыжащ «Мемориал Эльбрус» къэлъыхъуакIуэ гупым. Ахэр Гара-Баши джабэм, метр 4000 лъагапIэм дэкIуейри щылэжьащ. КъэлъыхъуакIуэхэм къагъуэта къупщхьэхэр прокуратурэмрэ следственнэ IуэхущIапIэмрэ иратауэ щытащ. Iуащхьэмахуэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Курданов Узеир пэкIур къыщызэIуихым жиIащ Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу зэуапIэ губгъуэм икIуэдахэм я Iуэху къызэрекIуэкIар зэхэгъэкIыным иджы псэу цIыхухэм я щIыхьыр иIэту зэрыщытыр. «Iуащхьэмахуэ деж щыхэкIуэдахэм я къупщхьэхэр къэлъыхъуэным дяпэкIи яужь дитыну ди мурадщ», — жиIащ Курдановым. Апхуэдэуи къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ нэгъабэ ТекIуэныгъэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу сэлэт 12-м я къупщхьэхэр щIалъхьэжауэ зэрыщытар. Хэку зауэшхуэм и ветеран, Сталинград зэхэуэхэм хэта Бичекуев Хаджимурат Кавказым щекIуэкIа зауэм тепсэлъыхьыжащ. Абы ицIыхуу щытащ Iуащхьэмахуэ и къуэкIыпIэ щыгум фашист бэракъыр къезыхьэхыжа, дзэм хэта альпиниститхур. «Ар зэман хьэлъэу щытащ икIи совет сэлэт щэ бжыгъэхэр щыхэкIуэдащ абдеж. Мис абыхэм я фIыгъэкIэ Кавказыр щыхъума хъуащ фашист зэрыпхъуакIуэхэм», — жиIащ абы. Тарим Алисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27491.txt" }
Мы махуэхэм Накъыгъэм и 8, бэрэжьей Накъыгъэм и 8 — 9-хэр Фэеплъымрэ зэкIужынымрэ я дунейпсо махуэхэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и унафэкIэ 2004 гъэм ягъэуващ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэм хэкIуэдахэр зэращымыгъупщар къагъэлъагъуэу. Жор Плъыжьымрэ Мазэ Ныкъуэ ЩхъуантIэмрэ я дунейпсо махуэщ 1945 гъэм фашист Германием псалъэмакъыншэу зыкъызэритымкIэ актым Iэ традзащ. Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Нэгъуей Беслъэн и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу. Олимп чемпион Шыхъуэ Борис и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу. Химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къущхьэ Хьэсбий и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 — 20, жэщым градус 13 — 15 щыхъунущ. Накъыгъэм и 9, махуэку Европэм и махуэщ 1945 гъэм ягъэуващ «1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекIуам папщIэ» медалыр. 1945 гъэм советыдзэхэм хуит къащIыжащ Чехословакием и къалащхьэ Прагэ. Адыгей тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Куэстэнэ Дмитрий къызэралъхурэ илъэси 101-рэ ирокъу. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бгъэжьнокъуэ Хьэчим къызэралъхурэ илъэс 98-рэ ирокъу. Адыгей драматург, прозаик Щхьэплъокъуэ Хьисэ къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу. УФ-м щIыхь зиIэ и связист Ефэнды Батий къызэралъхурэ илъэс 86-рэ ирокъу. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Пэнагуэ Азэмэтджэрий къызэралъхурэ илъэс 82-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Сэкрэк Мухьэдин къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Атэлыкъ Къэралбий къызэралъхурэ илъэс 70 ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 — 21-рэ, жэщым градус 12 — 13 щыхъунущ. Накъыгъэм и 10, мэрем Германием щагъэлъапIэ Тхылъым и махуэр. Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэныкъуей Назир къызэралъхурэ илъэс 97-рэ ирокъу. УсакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэIупщы Лолэ къыщалъхуа махуэщ. УсакIуэ ХьэцIыкIу Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 76-рэ ирокъу. УсакIуэ Къуныжь ХьэIишэт къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 — 21-рэ, жэщым градус 13 — 15 щыхъунущ. Накъыгъэм и 11, щэбэт Мэзхэм жыгхэр щыхэсэным и урысейпсо махуэщ 1920 гъэм «Гудок» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ. 1939 гъэм Япониер Монголием теуащ. 1934 гъэм КъБР-м ПромышленностымкIэ и управленэ къызэрагъэпэщащ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 — 21-рэ, жэщым градус 13 — 18 щыхъунущ. Накъыгъэм и 12, тхьэмахуэ Медсестрахэм я дунейпсо махуэщ 1954 гъэм Налшык политехническэ техникум къыщызэIуахащ. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Аргун Iэбубэчыр (КъШР) къызэралъхурэ илъэс 97-рэ ирокъу. Абхъазым и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Шинкубэ Бэгърат къызэралъхурэ илъэс 96-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэщыкъуей Билал къызэралъхурэ илъэс 93-рэ ирокъу. Публицист, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Уэрыш Нурхьэлий и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу. Еджагъэшхуэ, IуэрыIуатэдж, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Брат Хьэсин къызэралъхурэ илъэс 77-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 17 — 22-рэ, жэщым градус 14 — 16 щыхъунущ. Накъыгъэм и 13, блыщхьэ 1783 гъэм Урысейм и тенджыз ФIыцIэ флотыр къызэрагъэпэщащ. 1913 гъэм Дзэлыкъуэ мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ. ТхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъубж Мухьэдин къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу. Урысейм и ЛIыхъужь Къардэн Уэхьид къызэралъхурэ илъэс 89-рэ ирокъу. УэрэджыIакIуэ, КъБР-м, Ингушым щIыхь зиIэ я артист Зеущэ Iэуес и ныбжьыр илъэс 48-рэ ирокъу. УсакIуэ, драматург, УФ-м и драматургхэм я зэпеуэм и лауреат Къаныкъуэ Заринэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 22-рэ, жэщым градус 13 — 16 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27498.txt" }
ЛIыгъэм и щапхъэ КъБР-м и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм, хабзэ зэрыхъуауэ, илъэс къэс ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа Iуэхугъуэ гуапэхэр ирегъэкIуэкI. Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я уардэунэм къыщызэрагъэпэща зэхыхьэм щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ районхэмрэ къикIа ветеранхэр. ЩIыхьэпIэм вете-ранхэм къащыIущIащ КъБКъУ-м и «Дыгъэ цIыкIу» сабий къэфакIуэ гупыр икIи орденхэмрэ медалхэмкIэ зи кIэстумыбгъэхэр зэщIэбла нэхъыжьхэм удз гъэгъахэр IэщIалъхьащ. Профсоюзхэм я федерацэм уардэунэм и фойем щагъэува Iэнэ берычэтым ирагъэтIысэкIащ лIыгъэ къагъэлъагъуэу зауэ лыгъэм кIуэцIрыкIа, ТекIуэныгъэ Иныр, мамырыгъэр къытхуэзыхьа сэлэтхэр, тылым щылэжьахэр, хэкIуэдахэм я щхьэгъусэхэр. Амщокъуэ ФатIимэт зэхыхьэр къызэIуихри, къызэхуэсахэм псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ. — Сыт хуэдиз илъэс блэмыкIами, сыт хуэдиз щIэблэ зэкIэлъымыкIуами, 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа зауэм ди цIыхухэм щызэрахьа лIыгъэр пщIэм, щIыхьым, лIыхъужьыгъэм я щапхъэу къэнэнущ. ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр дэтхэнэ зы унагъуэм и дежкIи мыкIуэдыжын махуэшхуэщ. Ди къэралым, щIыналъэм мамырыгъэр къыхуэзыхьа, дунейр фашизмэм щызыхъума зауэлIхэм дрогушхуэ, дэркIэ щапхъэм я нэхъ лъапIэщ. Илъэс 68-рэ хъуауэ нэхугъэр, гуапагъэр, зыужьыныгъэр диIэу дыкъогъуэгурыкIуэ фи фIыгъэкIи, хэкIуэдахэми нобэ псэухэми ину пщIэ фхудощI. ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу! Узыншагъэрэ дэрэжэгъуэрэ фиIэу гъащIэм гу щыфхуэмэ си гуапэщ, — жиIащ профсоюз унафэщIым. Махуэшхуэ зэIущIэм кърагъэблэгъахэм ехъуэхъуащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI, илъэс 25-кIэ республикэм и профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу щыта Тау Пщыкъан, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Ульбашев Азнор, Урысейпсо цIыхубэ фронтым и республикэ къудамэм и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщI Канунников Анатолий, КъБР-м и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд сымэ. ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьахэм я гукъыдэжыр къиIэтащ нэхъыжьыфIхэм папщIэ къызэрагъэпэща концертым. Ветеранхэр дежьууащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Ташло Алий, Батыр Мухьэдин, Хъупсырджэн Альберт, КъБКъУ-м и «Амикс» гупым, пшынэр зыгъэбзэрэбза, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым къикIа Малкаров Мурат, «Дыгъэ цIыкIу» сабий ансамблым. Нэхъыжьхэм яхэтщ утыкум къихьэу къэфахэри. КъБР-м и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща махуэшхуэ зэIущIэр ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ зэхаубла адыгэ джэгукIэ иухащ. Кърагъэблэгъа ветеранхэм (ахэр 80-м нэблагъэрт) дэтхэнэми сом мин зырыз, IэфIыкIэ, удз гъэгъа иратащ. УЭРДОКЪУЭ Женя. Сурэтхэр Мамий Руслан трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27500.txt" }
Зыр адрейм доIэпыкъу Дыгъуасэ связым и IэнатIэ псоми я лэжьакIуэхэм я махуэшхуэу щытащ. Абы лъабжьэ хуэхъуащ урыс еджагъэшхуэ Попов Александр 1895 гъэм накъыгъэм и 7-м связым и Iэмэпсымэ нэхъыщхьэр игъэлъэгъуауэ зэрыщытар. 1945 гъэ лъандэрэ а махуэ дыдэм техуэу ди къэралым щагъэлъапIэ радиом и махуэри. А гуфIэгъуэмкIэ ехъуэхъун папщIэ КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин дыгъуасэ щыIащ «Урысейм телевиденэмрэ радиовещанэмкIэ и сеть» къэрал IуэхущIапIэм и къудамэу Налшык къалэм щыIэм. Мы IуэхущIапIэм и унафэщI Жылау Сафудин министерствэм и щIыхь тхылъыр щритым, Къумахуэ Мухьэдин къыхигъэщхьэхукIащ: «Псом хуэмыдэу сэ икъукIэ си гуапэщ ди министерствэмрэ фи IуэхущIапIэмрэ быдэу дызэрызэпыщIар икIи сыт хуэдэ IуэхумкIи зыр адрейм дыдэIэпыкъуу зэрекIуэкIыр». «Урысейм телевиденэмрэ радиовещанэмкIэ и сеть» къэрал IуэхущIапIэм и унафэщIхэм я цIэкIэ республикэ къудамэм и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ РТРС-м и генеральнэ директорым и къуэдзэм и чэнджэщэгъу Ахобеков Ашэмэз. Абы хэхауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм, КъБР-м и Правительствэм, КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм фIыщIэ яхуищIащ федеральнэ программэ хэхахэр гъэзэщIэным, республикэм и телевиденэр бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологием хуэгъэкIуэным зэрегугъум папщIэ. Пщыгъуэш Асият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27506.txt" }
ПсэзэпылъхьэпIэт дэтхэнэ дакъикъэри СССР-м и зэманым ягъэлъапIэу щыта махуэшхуэхэм ящыщу зи пщIэр емыхуэхыу, атIэ кIуэ пэтми нэхъри яIэту Урысейм къыщызэтенар ТекIуэныгъэм и махуэрщ. Ар гуфIэгъуэ нэпсхэмкIэ гъэнщIащ. Иджыпстуи нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ абы щыгъуэм совет цIыхухэм яхузэфIэкIар — зэуапIэ губгъуэм итахэми ахэр зыхуеинухэмкIэ къызэрагъэпэщу лэжьыгъэ IэнатIэм пэрытахэми. А псоми зэрахьа лIыхъужьыгъэр тхыдэм зэи хэгъуэщэжынукъым. Хэку зауэшхуэм, зэрыщыту ЕтIуанэ дунейпсо зауэм хуэдэу, тратхыхьари тражыIыхьари апхуэдизкIэ куэдщи, щIыбгъужын щыIэ хуэдэкъым. АрщхьэкIэ, зи гугъу тщIы ТекIуэныгъэм и мыхьэнэр апхуэдизкIэ инщи, абы теухуауэ пхужыIэнур гъунапкъэншэщ икIи жыIэни хуейщ. Псом хуэмыдэу щIэуэ къэунэхуа «тхыдэтххэм» пэжыр щIауфэу е зэрадзэкIыу зэрыхуежьам къыхэкIыу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, «пцIым и лъакъуэр» ялъэIэсащ ныбжьыщIэхэм тхыдэр зэрырагъэдж тхылъхэми. Мыбдеж къыщыдгъэлъэгъуэнщи, ардыдэр УФ-м и Президент Путин Владимир къыщыхигъэщащ цIыхухэр зыщIэупщIахэм иджыблагъэ жэуап щаритам. Дигу къэдгъэкIыжынщ Iуэхур къызэрекIуэкIам и пэжыпIэр. Япэрауэ, 1941 гъэм и гъатхэм ирихьэлIэу Германием къанэ щIагъуэ щымыIэу Европэр иубыдат, уеблэмэ Африкэми нэсат. Лъапсэрых зауэр ди къэралым къызэрыхуэкIуэр белджылы хъуат. Мыбдежым зы мыхьэнэ гуэри щиIэтэкъым лъэныкъуитIым зыр адрейм темыуэну зэращIылIа зэгурыIуэныгъэми — ар тхылъымпIэ къудейт икIи апхуэдэу зэрыщытыр куэдым къагурыIуэрт. КъэралитIми ебгъэрыкIуэныгъэм зыхуагъэхьэзырт. Гитлер тегушхуэртэкъым СССР-м хуэдэ къэрал абрагъуэм зэуэ зыкърипщытыну. Сталинри зыхуейр зэман къыдигъэхуэнырт. Нэхъ тхыдэдж зэпIэзэрытхэм къызэралъытэмкIэ, фашист унафэщIхэм СССР-м къытеуэну щамурадар 1943 гъэм и гъатхэрт. АрщхьэкIэ, Iуэхур щIигъэпсынщIауэ къыщIэкIынущ нэмыцэхэм Югославиер псынщIэ дыдэу — махуэ зытIущкIэ — къару мащIэкIэ зэраубыдыфам. Абдеж Гитлер и фIэщ хъуащ славян лъэпкъым щыщхэр щынэхъыбэ СССР-м тыншу къыпэлъэщыфыну. АдэкIэ къэхъуам псори дыщыгъуазэщ: 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м пщэдджыжьыр сыхьэтиплIым фашистыдзэхэр СССР-м къыщебгъэрыкIуащ тенджыз ФIыцIэм щегъэжьауэ Баренц тенджызым нэсыху. Ди къэралыр а зэманым зауэм хуэмыхьэзырыщэу къыщIэкIащ. Абы къыхэкIыу, лIыгъэшхуэ яхэлъами, ди зауэлIхэр къикIуэтын хуей хъуащ, къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ бийм къыхуагъанэурэ. Совет Союзыр псэзэпылъхьэпIэ ихуащ. Хэбгъэзыхьмэ, а гъэ дыдэм щэкIуэгъуэм и 7-м Москва щекIуэкIа дзэ парадым хэтахэр абы хэкIыурэ лъэщу къалащхьэм къебгъэрыкIуэ бийм пэщIэувэн хуей хъуащ. Дунейм къызэрытехъуэрэ цIыхухэм зэи ямылъэгъуа лIыхъужьыгъэ къызыкъуэзыха ди зауэлIхэм абдеж япэ удыныр фашистхэм щрадзащ. Нэхъ удын хьэлъэ нэмыцэхэм щатехуар Сталинград дежщ. Абдеж белджылы щыхъуащ ди дзэм зауэм ефIэкIыныгъэ зэрыщигъуэтар. АдэкIэ щыIащ лъэныкъуитIми я танкхэу 1500-м нэс щызэпэщIэува Прохоровкэ деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэр, нэгъуэщIхэр. Советыдзэм езым и щIыналъэм и мызакъуэу, Европэр хуит къищIыжри, фашистхэм я гъуэ Берлин «псы иригъэжыхьыжащ». Тхыгъэ кIэщIым псоми зэпкърыхауэ ущытепсэлъыхьыфынукъым, апхуэдэ къалэни зыхуэдгъэувыжыркъым, арщхьэкIэ, къыхэдгъэбелджылыкIын хуейщ ди къэралым текIуэныгъэм уасэшхуэ зэрыщIитар: Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ ди цIыху мелуанхэр. Ар апхуэдизкIэ куэдщи, и бжыгъэр иджыри къэс наIуэкъым икIи ябжыфынукъым. ЖыпIэ хъунущ а текIуэныгъэр зэкъуэшхэм хуэдэу зэкъуэту икIи зэдэIэпыкъуу щыта ди лъэпкъхэм ягъэжа лъы уэрым къытхуихьауэ. Дэ ар зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Шал Мухьэмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27508.txt" }
1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр илъэс 68-рэ щрикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен цIыхухэм зэрызахуигъазэр Ветеран лъапIэхэ! ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ! Ди къэралым лъэпкъ куэду зэхэт и цIыхубэм пщэдей ягъэлъапIэ ди тхыдэм хиубыдэ пIалъэ нэхъ гъуэзэджэ дыдэхэм ящыщ зыр — 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр илъэс 68-рэ зэрырикъур. Урысей цIыхухэм я дежкIэ ар ипэжыпIэкIэ махуэ лъапIэ дыдэщ. Шэч къытесхьэркъым цIыхур дунейм къызэрытехьэрэ и нэгум щIэкIа зауэ нэхъ гущIэгъуншэ дыдэм ди цIыхубэм къыщахьа ТекIуэныгъэм и мыхьэнэм зэи зэрыкIэрымыхунум. А махуэм дэ текIуэныгъэр къэзыхьа лIыхъужьхэр догъэлъапIэ, Iэщэ иIыгъыу Хэкум и щIыхьымрэ щхьэхуитыныгъэмрэ зыхъума дэтхэнэ зыми и щытхъур доIэт, псэемыблэжу тылым щылэжьа, зауэ нэужь илъэс гугъухэм къэралыр зэтезыгъэувэжа псоми яхуэфэщэн пщIэ яхудощI. Дэ фронтым Iутахэм я хахуагъэм ди щхьэр худогъэщхъ, зауэ зэман гугъум гузэвэгъуэ псори къызэзынэкIыфа ди нэхъыжьхэм фIыщIэ мыухыж яхудощI. Дэ, фи бынхэм, лъахъшэу ди щхьэр фхудогъэщхъ, ди ветеран лъапIэхэ. Дэ ди деж зыри къыщыдгъэнэнкъым фэ фщыщу бийр зэхэкъутэным зи зэфIэкI езыхьэлIа дэтхэнэ зыми ар зэращымыгъупщар, пщIэ зэрыхуащIыр икIи зэрагъэлъапIэр, ар зыхуей хуэзэныр республикэм властымкIэ и органхэм, зэрыщыту ди жылагъуэм я къалэн нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр зыхищIэн папщIэ. 1941 — 1945 гъэхэм ди цIыхубэм зауэми лэжьыгъэ IэнатIэми щызэрахьа хахуагъэр Урысейм и щIыхьым и лъагапIэу уващ, сыту жыпIэмэ ди щIыналъэм къэса дунейпсо зауэр цIыхухэм зэи ямылъэгъуа гъэунэхуныгъэу щытащ. Абы и жэуапу ди цIыхубэм къыпхуэмылъытэным хуэдиз зэкъуэтыныгъэрэ ерыщагърэ къагъэлъэгъуащ. А зэкъуэтыныгъэр нобэ ди дежкIэ узыдэплъеин щапхъэ хьэлэмэтщ. Республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ я цIэкIэ, си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу Хэку зауэшхуэм и ветеран лъапIэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми ТекIуэныгъэм и МахуэмкIэ сынывохъуэхъу. Си гуапэщ узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, ефIэкIуэныгъэ фиIэну!
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27510.txt" }
Ди щIалэхэр токIуэ Элиста щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Совет Союзым и ЛIыхъужь, генерал-лейтенант Городовиков Басан и фэеплъу къызэрагъэпэща зэпеуэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ спортсмени 150-м. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы хэта Шэ-джэм районым и сабий-щIалэгъуалэ спорт школым и гъэсэнхэм ехъулIэныгъэ зыIэрагъэхьащ. Къапщтэмэ, бжьыпэр яубыдащ Дэдэхъу Муратрэ (кг 74-рэ) ТекIушэ Азэмэтрэ (кг 84-рэ). Ещанэ увыпIэр килограмм 74-рэ хъухэм я деж къыщихьащ КIэрэф Феликс. Къалмыкъым и къалащхьэм къыщыхэжаныкIа щIалэхэр ягъэсащ тренерхэу Къуэныкъуей Замиррэ Хъубий Анатолэрэ. ЖАНОКЪУЭ Хьэутий.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27514.txt" }
«Дайдзи» спорт клубым и гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэр Кропоткин къалэм (Краснодар край) щекIуэкIащ каратэ киокусинкаймкIэ Ипщэ федеральнэ щIыналъэм пашэныгъэ къыщыхьынымкIэ зэхьэзэхуэрэ чемпионатрэ. Абы кърихьэлIащ Дагъыстэн, Къэбэрдей-Балъкъэр, Шэшэн республикэхэм, Ростов областым, Кропоткин, Анапэ къалэхэм я спортсмен 230-рэ. Ди республикэм и щIыхьыр зэпеуэм щахъумащ Шэрджэс Заурбэч зи унафэщI спорт школ хэхам и гъэсэнхэм. ЕхъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа спортсменхэм ящIыгъущ Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №24-м и унафэщI ХьэщIэмыз Светланэрэ тренер Къэрмокъуэ Амурбэчрэ. Пашэныгъэ къэхьынымкIэ зэпеуэм бжьыпэр щаубыдащ Ахъмэт Аланрэ (кг 30) Балъкъыз Ратмиррэ (кг 35). Чемпионатым текIуэныгъэ щызыIэригъэхьащ Сафарян Артур (кг 70-м нэблагъэ). Лу Таймураз (кг 80-м щIигъу) етIуанэ увыпIэр къихьащ. Мэршэнкъул Къантемыр (кг 65-м нэблагъэ) ещанэщ. Къыхэдгъэщынщи, Сафарян Артур зэIущIищ иригъэкIуэкIати, зэман кIэщIым къриубыдэу и текIуэныгъэкIэ иухащ икIи Урысейм спортымкIэ и мастерым и мардэр игъэзэщIащ. ЕхъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа спортсменхэр и гъэсэнщ «Дайдзи» спорт клубым. Тренерыр Къэрмокъуэ Амурбэчщ. ТЫГЪУЭН Зазэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27516.txt" }
Хэт хьэрхуэрэгъу къытхуэхъунур? Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр и кIэм нэблэгъащ — къэнэжар джэгугъуитIщ. Мыгувэу наIуэ къэхъунущ гуп нэхъыщхьэм игъэ-зэжын папщIэ «Спартак-Налшыкым» хьэрхуэрэгъу къыхуэхъунур хэтми. Пасэу зэраубзыхуам ипкъ иткIэ, премьер-лигэм 2012-2013 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм епщыкIущанэ увыпIэр къыщызыхьыр япэ дивизионым еплIанэ щыхъум дэджэгунущ, епщыкIуплIанэм класс нэхъыщIэм и ещанэ командэр ныкъуэ-къуэгъу къыхуэхъунущ. Ахэр тIорытIэ зэIущIа иужькIэ (я стадионхэм гъуэрыгъуэурэ), нэхъыфIыр къэралым и футболист нэхъ лъэщхэм къыкIэлъыкIуэ зэпеуэм щапэщIэтынущ. Иджыпстурей щытыкIэм тепщIыхьмэ, япэ дивизионым ещанэ увыпIэр щызыIыгъ «Спартак-Налшыкым» и хьэрхуэрэгъунущ премьер-лигэм зэкIэ епщыкIуплIанэу къыщыкIуэ Самарэ и «Крылья Советов»-р, «СКА-Энергия»-р пэщIэтынущ Пермь и «Амкар»-м. АрщхьэкIэ къэнэжа кIэух зэIущIэхэм апхуэдэ зэпэщIэтыныгъэхэр зэрихъуэжынум шэч щIагъуэ хэлъкъым. Ныкъуэкъуэгъу къытхуэхъунухэм яхыхьэфынущ Новгород Ищхъэрэм и «Волга»-р, Дон Iус Ростов и «Рос- тов»-р, Пермь и «Амкар»-р. Псори наIуэ къыщыхъунур накъыгъэм и 26-ращ. ЗэкIэ ущыуэнкIэ умышынащэу пхужыIэнуращи, Владикавказ и «Алания»-мрэ Саранск и «Мордовия»-мрэ, зы илъэс фIэкIа хэмытауэ, премьер-лигэр ябгынэ. Абыхэм я пIэкIэ гуп нэхъыщхьэм кIуэнущ Свердлов областым и «Урал»-мрэ Томск и «Томь»-мрэ. Зы телъыджэ гуэр къэхъун хуейщ, нэгъуэщIу къыщIидзын папщIэ. Къэралым и чемпионри зэхэкIа хуэдэщ. Абы и къару къызэрихькIэ зричауэ хуокIуэ Мэзкуу и ЦСКА-р. Ар иджыпсту-кIэ Санкт-Петербург и «Зенит»-м очкоитхукIэ щхьэщыкIащ икIи дыщэ медалхэм пэIэщIэ хуэзыщIыжыр зы очко за-къуэщ. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27520.txt" }
«Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэхэм» ныбжьыщIэхэр егъэгушхуэ Налшык къалэ дэт гимназие №29-м «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» зи чэзу фестиваль-зэпеуэр махуитIкIэ щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщауэ щытащ 2008 гъэм. Абы лъандэрэ мыбы я зэфIэкI щеплъыжащ лъэпкъ 53-м къахэкIа сабий мини 9-м щIигъу. Мы гъэм ныбжьыщIэхэр зэпеуэ лIэужьыгъуэу 8-м щызэхьэзэхуащ: сурэт щIынымкIэ, декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ, эссе тхынымкIэ, медиа-артымкIэ, хореографиемкIэ, лъэпкъ, эстрадэ къафэхэр, уэрэдхэр гъэзэщIэнымкIэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэр гъэIурыщIэнымкIэ. Фестивалыр щIэщыгъуэу, удэзыхьэхыу екIуэкIащ. СурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэр хьэзыру къахьакъым, атIэ зэпеуэр щIидза нэужь, пэш щхьэхуэхэм абы щыпэрыуващ. ЦIыкIухэм дихьэхыу ящIырт нарт эпосым къыхэщыж лIыхъужьхэм я сурэтхэр, теплъэгъуэхэр. Ахэр щIэщыгъуэ щIэхъукIырт сабийхэм я гупсысэ бзыгъэхэр лэжьыгъэм зэрыхалъхьэфми. А зэпеуэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъэгъуащ Сирием къикIыжа ныбжьыщIэхэми. Декоративно-прикладной гъуазджэм дихьэххэм я лэжьыгъэхэр зэмылIэужьыгъуэ защIэт. НыбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэм еплъыну къекIуэлIахэм хуабжьу ягу ирихьащ а зэпеуэм япэ увыпIэр къыщызыхьа, Налшык къалэ дэт курыт школ №19-м и еджакIуэ Ало Алихъан и лэжьыгъэр. Эссе тхынымкIэ псоми къахэжаныкIащ курыт школ №20-м щеджэ КIэш Марьянэ. «Медиа-Арт» зэпеуэм а школым щыщ ЛIуп Ислъам псоми щатекIуащ. ХореографиемкIэ япэ увыпIэхэр къахьащ прогимназие №52-м и «Эльбрусинка», гимназие №13-м и «ДжэгуакIуэ» ансамблхэм. ЦIыхубэ уэрэд жыIэнымкIэ курыт еджапIэ №16-м щIэс Бозиевэ Лейлэ, эстрадэ уэрэд гъэзэщIэнымкIэ курыт школ №25-м, №5-хэм я еджакIуэхэу Безрыкъуэ Русланрэ Роголевэ Юлиерэ бжьыпэр яубыдащ. Лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэр псом нэхърэ нэхъ дахэу игъэбзэрэбзащ курыт школ №27-м щеджэ Къумал Ислъам. Сурэт щIынымкIэ зэпеуэм ныбжьыщIэ куэд хэтащ икIи 8-м япэ увыпIэхэр къахьащ. Ахэр: Сидоренкэ Николай, Ивановэ Ангелинэ, Дэунэж Салимэ, Къуэныкъуей Викэ, Беловаловэ Елизаветэ, Iэпщэ Лие, ХьэхъупащIэ Астемыр, Кузнецовэ Иринэ сымэщ. «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» фестиваль-зэпеуэр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьа художник-модельер ТIажь Альбинэ и Фондым и унафэщI, проектым и къызэгъэпэщакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат ТIажь Борис къыхигъэщащ ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIхэм зэрыщыгуфIыкIыр: — Щэнхабзэри, гъуазджэри, литературэри къызэщIэзыубыдэ ди зэпеуэр зытеухуэжар нарт эпосырщ. ХъугъуэфIыгъуэкIэ къулей эпосым ныбжьыщIэхэм акъыл къыхахыфынущ. Си гуапэщ, сабийхэм дэтхэнэ лъэпкъ Iэмэпсымэми, уэрэдми, къафэми, хъыбарми езыхэм я гупсысэм къигъэщIыжа щIэщыгъуагъ зэрыхалъхьэфыр. Мыбы къекIуалIэ сабийхэм щытхъу яхуэфащэщ, жыпIэмэ ахэращ къызэдгъэпэща Iуэхум щынэхъыщхьэри, проектыр япэкIэ гъэкIуэтэнымкIэ сэбэп хъури. ТIажь Борис жиIащ проектыр пхыгъэкIынымкIэ, абы зегъэубгъунымкIэ КъБР-м и унафэщIхэр, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ, ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ министерствэхэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэр щIэгъэкъуэнышхуэ къазэрыхуэхъур икIи абыхэм ину фIыщIэ зэрахуищIыр. — ЩIэблэр щэнхабзэм, гъуазджэм дегъэхьэхынымкIэ мы фестиваль-зэпеуэм мыхьэнэ ин иIэщ. Ди мурадщ ныбжьыщIэхэм я гум дахагъэ къыщыдгъэушыну. Си гугъэщ нарт эпосым и лъагъуэм абыхэм гуапагъэ куэд трагъуэтэну, — жиIащ Налшык къалэ щIыпIэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и лэжьакIуэ Шэджэм Заремэ. — Си гуапэщ Iуэхум хуэжыджэр щIэблэ гурыхуэ дызэриIэр. Лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэ вгъэзэщIахэм дэри дагъэгушхуащ, — жиIащ сабийхэм къызыкъуаха зэфIэкIхэр зыгъэщIэгъуа, Лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ центрым и лэжьакIуэ Урыс Аслъэн. Зэпеуэм къыхэжаныкIа ныбжьыщIэхэр щIыхь тхылъхэмкIэ, саугъэтхэмкIэ ягъэгуфIащ. Сабийм и акъылым, и гупсысэм зезыгъэужь мыпхуэдэ зэпеуэхэр сэбэпынагъ зыпылъщ. Абы хэткIэрэ, ныбжьыщIэм имыгугъэхха зэфIэкI къызыкъуихынкIэ хъунущ икIи къыхихыну IэщIагъэр, зытеувэну гъуэгур абы елъытауэ иубзыхуфынущ. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27522.txt" }
Къыхуагъэфэща IэнатIэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэр ЩIалэгъуалэр жылагъуэ гъащIэм хашэн, Iуэху зехьэкIэ ящIэн, къэрал къулыкъущIапIэхэм щагъэсэн мурадкIэ, илъэс зыбжанэ и пэ къызэрагъэпэщауэ ЩIалэгъуалэ парламентымрэ правительствэмрэ мэлажьэ. Зи щIалэгъуэхэм къызэралъытэмкIэ, абыхэм хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэнщ къыхуагъэфэща IэнатIэр. «ЩIэблэр зыгуэркIэ тебгъэгушхуэнумэ, текIуэныгъэ цIыкIум и IэфIыр къегъащIэ», жаIэ хабзэщ. Зи гугъу тщIа щIалэгъуалэ гупым жыджэру, Iуэху щхьэпэхэр псапащIэ къаIэт, жылагъуэр зыгъэгузавэ, зыгъэпIейтей упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIа «стIол хъурейхэр» къызэрагъэпэщ, яхузэфIэкIыр куэдми мащIэми, зи къару къимыхьхэм ядоIэпыкъу. ЩIалэгъуалэ палатэм и лэжьэкIэм, зыхуигъэувыж мурадхэмрэ къалэнхэмрэ зэдгъэщIэну дэ зыхуэдгъэзащ абы и унафэщI Джаппуев Мусса. — 2006 — 2007 гъэхэм КъБР-м и ЩIалэгъуалэ Парламентым хэтынухэмрэ зэрыхэтынумрэ ехьэлIа хабзэхэр зэхэзыгъэува гупым сахэтащ. Мыгувэу КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ комитетым сыщылэжьэну срагъэблэгъащ. Пэжыр жысIэнщи, сэ абы сыхыхьэн мурад сиIакъым, ауэ зи щIалэгъуэ гупым зыкъысхуигъазэри, къыздэлэжьэну хуейуэ къызжиIати, «хьэуэ» схужыIакъым. — Политикэм и зэхэлъыкIэр, зэхэтыкIэр плъэгъуащ — къогугъуэкIрэ хьэмэ уи IэнатIэр пфIэгъэщIэгъуэну епхьэкIрэ? — Сэ хуабжьу сигу ирохь ЩIалэгъуалэ палатэм, ди Парламентым сыдэлэжьэну. Ди депутатхэм, нэхъыжьхэм щапхъэ къызытепхын, гъуазэ пхуэхъун хьэл куэд ядыболъагъу. Сытым дежи къыбдэIэпыкъуну хьэзырщ. Сэ ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI сызэращIрэ илъэсым нэблэгъащи, жысIэну сыхуейт си дежкIэ зэманыр псынщIэ дыдэу зэрыкIуар, абы къриубыдэу ди депутатхэм я деж куэд щызэзгъэщIэну сыхунэсащ. Псым и IэфIыр зыхэзыщIэр псы хуэлIаращ. ЩIалэгъуалэ Парламентым сыкъакIуэри, унафэхэмрэ абыхэм я мыхьэнэмрэ нэсу къызгурыIуэн щIэздзащ. НобэкIэ гугъущ цIыху псоми я зэхуэдэу, зыми зэран хуэмыхъу унафэ къэбгупсысыныр. Апхуэдэ унафэхэм лэжьыгъэшхуэ ирахьэлIэ, ахэр хуэсакъыпэурэ, лъэныкъуэ псори зэпашэчурэ ятхыуращ. ЗэфIагъэкI лэжьыгъэм папщIэ, ди гъащIэр нэхъыфI щIыным хущIэкъуу, зи гуащIэ хэзылъхьэ ди депутатхэм фIыщIэшхуэ яхуэсщIыну сыхуейт. — ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэм ящыщу нэхъ жыджэру, жэрдэмщIакIуэу хэт сымэ я цIэ къыхэбгъэщынт? — ЩIалэгъуалэ жыджэрхэм я гугъу щысщIкIэ, я цIэ къизмыIуэу схуэшэчынукъым ХьэIупщы Ислъам, Абшуваевэ Каринэ, Моккаевэ Каринэ, Мамбэт Мурат, Егъур Ильяс, Арахъэ Жантемыр, Гузоев Исмэхьил сымэ, нэгъуэщIхэми. Къыхэгъэщыпхъэщ ди щIалэгъуалэр жыджэру, унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ зэфIэкI пыухыкIахэр яIэу зэрыщытыр Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм зрапщытыну зэрыхьэзырыр. Ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ дэтхэнэри тлъагъуу, зэхэтхыу, и зэфIэкIым унэтIыныгъэ тэмэм етту дыдэлэжьэныр. — Мусса, фи лэжьыгъэм нэхъыбэу къыхэвгъэщу, зы унэтIыныгъэ пыухыкIам нэхъыбэу фелIалIэу щыт хьэмэрэ гъащIэм и лъэныкъуэ псори зэрызэлъэвгъэIэсыным яужь фит? — Шэч хэмылъу, ЩIалэгъуалэ палатэм яужь къинэнкIэ Iэмал имыIэу унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэр иIэщ. Ауэ абы къикIыркъым дэ абыхэм фIэкIа нэгъуэщI Iуэхухэм демылэжьу. ЦIыхухэр зэрызэхуэмыдэм ещхьу, абыхэм яIэ зэфIэкIри, зэлэжьын хуейри, яфIэгъэщIэгъуэнри зэхуэдэкъым. Абы къыхэкIыу, дэ зэрытлъэкIкIэ, а унэтIыныгъэ псори къызэрызэщIэдубыдэным иужь дитщ. Щхьэж иIэ унэтIыныгъэ елъытауэ ирегъэфIакIуэ. Дэтхэнэ зыми жэуаплыныгъэр зыхищIэу Iуэхур и пщэ дилъхьэжу зэфIигъэкIыу есэн хуейщ. — НобэкIэ сыт хуэдэ Iуэхухэм яужь фит? — Къуажэхэм, къалэхэм дэс щIалэгъуалэр гулъытэншэу къонэ. Къэрал Думэм унафэхэр зэхэзыгъэувэ щIалэгъуалэ гуп щыIэщ. Ахэр федеральнэ щIыналъэращ зэхьэлIар. Ди республикэм иIэр ЩIалэгъуалэ Парламентрэ Правительствэрэщ. НыбжьыщIэ нэхъыбэ къытхузэщIэубыдэн папщIэ ЩIалэгъуалэ советрэ администрацэрэ щыIэн хуейщ. Къалэ, къуажэхэми апхуэдэ зэгухьэныгъэхэр щызэхашэу а псори зы гъуэгум тегъэувапхъэщ, лэжьыгъэм щIалэгъуалэр зэрыщыту къызэщIиубыдэн папщIэ. Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ, Май куейхэм, Прохладнэ, Налшык къалэхэм апхуэдэ гупхэр къыщызэрагъэпэщащ. Зэман къэблагъэм Зеикъуэрэ Шэджэмрэ ахэр щызэщIэдгъэуIуэну ди мурадщ. Ар къыдэхъулIэмэ, щIалэгъуалэр «зэрыбауэ хьэуар» нэхъыфIу зыхэтщIэнущ, абыхэм я гукъыдэжыр къытхуэубыдынущ, яфIымрэ я Iеймрэ тлъагъунущ. Абы къищынэмыщIауэ, нобэкIэ дегугъуу дызэлэжьхэм ящыщщ блогерствэм зегъэужьыныр. Дунейр зэлъэщIэзыгъэIэса Интернетыр ди щIалэгъуалэм шэрыуэу къагъэсэбэп, аращ хъыбарыщIэхэри щIэныгъэщIэри къыздрахыр. Интернетыр къызэIупхмэ, ди республикэм и хъыбарыщIэхэм укъагъэуIэбжь, Къэбэрдей-Балъкъэрым Iейуэ къыщыхъуам я зэхуэхьэсыпIэу фIэкIа пщIэнкъым. ДыкъэзымыцIыхухэм республикэм гущыкI хурагъэщI. Дэ къалэн зыщытщIыжащ, КъБР-м къыщыхъу хъыбарыфIхэр, ди щIалэгъуалэм я жэрдэмкIэ къаIэт псапащIэ Iуэхухэр, ди цIыху пэрытхэр, лIыхъужьхэм ятеухуа хъыбархэр абыхэм я деж нэтхьэсыну. Ди республикэм и дахагъэр фагъуэ щIохъукI апхуэдэхэм — ди деж гъащIэ дахэ, щIэщыгъуэ щыIэщ. Абы папщIэ иджыпсту хъыбарыфIхэр, IуэхуфIхэр ялъагъуу, къагъуэту щIэщыгъуэу зытхыжыну щIалэгъуалэ гуп зэхудошэс. Мы гъэм ди Парламентыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 75-рэ мэхъури, абы зыхудогъэхьэзыр, накъыгъэм и 9-р зэрыдгъэлъэпIар, дызыхэта Iуэхухэр дыубзыхуащ, нэгъуэщI куэди ди мурадщ. — Фи Палатэм щIалэгъуалэ псори къыхузэщIэубыдэнукъым. ГъащIэм и пэщIэдзэм утыкум къимынэн папщIэ, къазэрыхуейр зыхащIэу тегушхуауэ сыт хуэдэ Iуэхури къаIэтын папщIэ Iэмал яIэ зи щIалэгъуэм? — Псом япэрауэ, зи гугъу тщIа гупхэр къызэдгъэпэщыфмэ, абыхэм къызэщIаубыдэну щIалэгъуалэр минитIым ноблагъэ. КъищынэмыщIауэ, республикэм жылагъуэ зэгухьэныгъэ куэд дыдэ щолажьэ икIи яIэ унэтIыныгъэ елъытауэ абыхэми запыщIэн хуейуэ къызолъытэ. — НыбжьыщIэ куэд уолъагъу, уаIуощIэ, уэ езыр абы уащыщщ? Зи щIалэгъуэм и нэкIэ уахэплъэмэ, сыт хуэдэ щIалэхэр, хъыджэбзхэр диIэ? — Си щхьэр лъагэу сIэту жысIэну сыхуейт, ди щIалэгъуалэр ауэ къызэрымыкIуэу зэфIэкI ябгъэдэлъу, губзыгъэу, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу, сыт хуэдэ Iуэхуми жыджэру яужь ихьэрэ зэфIагъэкIыу, Iуэху еплъыкIэ щIэщыгъуэхэр къагъэлъагъуэрэ гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэри яфIэгъэщIэгъуэну зэрыщытыр. Абыхэм хуа- бжьу срогушхуэ, си къару къызэрихькIэ апхуэдэхэм сыт щыгъуи защIызогъакъуэ. Лъэпкъым и къэкIуэнур и щIэблэращи, къэкIуэну дахэ диIэу сыщогугъ. Епсэлъар Дзэгъащтэ Нусэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27527.txt" }
Анэ Щомахуэ Залинэ Новеллэ Бгы нэпкъ къыгуэудам уэс къесагъащIэ теса фIэкIа умыщIэну, хужьыбзэу, нурыр къызыщхьэщих сабий магъри тесщ. Абы и нэм къыщIэж нэпсхэр зытеткIуэ щIыр кърилыгъукI хуэдэщ. — Сыт ущIэгъыр? — и бгъэдэкIуати и щIэупщIи зы ищIащ лIыжь мыцIыхум. — Ухэт уэ? — нэпсыр зыщIэз нэм щIэIуэтыхьурэ къопсалъэ щIалэ цIыкIур. — Умыгъ, си щIалэ, улIкъэ уэ, умыгъ, — игъэудэIужыну хэтщ мо сабийм и хужьагъым нэхърэ зи фэр нэхъ хужьыж лIыжьым. Мы щIыпIэм щыпсэу псори хужь лъэпкът. Я псэм и нэхугъэ — хужьыгъэр арт я фэми къигъэлъагъуэр. Зыри щамыбзыщI, щахуэмыбзыщI, псори щынаIуэ — фэрыщIагъи, сыти щыземыкIуэ щIыпIэт. — Сэ, сэ… — зэщоджэри псэлъэфыркъым. КъуэкIий зыщхьэщысыр гум щIыхьэу къегъэпсалъэ щIалэ цIыкIум. Езыр хужь щхьэкIэ, и набдзэри и нэбжьыцри фIыцIабзэт, Iупэ тхъуэплъ пIырыпI цIыкIухэр нэпс шыугъэ гуащIэм мащIэу зэпигъэтхъат. Абы нэхъри сабийр пфIэгуэныхь ищIырт. ЦIыкIу псори дахэкъэ-тIэ, ауэ сабийр зыпэпщI хъун щыIэкъым. Псом хуэмыдэу щIэншэщ сабий гуфIэм и нитIыр. ГъащIэ псо ящIэтщ абыхэм. ЦIыхур щына- сыпыфIэфынур и сабиигъуэ закъуэрщ… Сабиигъуэ къызэрыдита къудейм щхьэкIэ дызэрыпсэур куэд и уаси, а псэуным сыт хуэдиз гугъуехьрэ бэлыхьрэ пыщIами. — Уи закъуэу щхьэ утес мыбдеж, щIалэфI? — йоупщI дадэ лъагъугъуафIэр. — Сэ зыри, зыри къысхуеижкъым, — гур хигъэщIу и макъыр дрешей. — Зыри зыхуэмей щыIэкъым, — и макъым къыщIэувэ джэрпэджэжым жиIэр тIуащIэу уи фIэщ ищIу мэпсалъэ мыдрейри. — Сэ зэи цIыхухэм я дунейм сытрагъэхьэнукъым. Къысхуэмейуэ къалъытэри саукIыжащ, сылъаIуэу, сыкIийуэ, къызэмыплъу. Сыкъигъэнащ си мамэ, дунеитIым и зэхуаку сыдэту. Сэ, пщIэрэ, слъэгъуащ дуней, а псори зытепсэлъыхь дунейм и хьэуакIэ сыбэуащ, и ерыскъы сIухуащ, ауэ… Апхуэдизрэ зи гугъу къысхуащIу си нэ къыхуикIыу сызэжьа дунейм сыкъидакъым. — Укъимыдауэ ара, хьэмэ… — Си мамэ, псом нэхърэ нэхъыфIу слъагъу, мы сыкъэзыухъуреихь псом щызиIэ, гуауэ куэд, гуэныхь куэд зыдэзгъэва си мамэ сригъэукIащ, — и сабий Iэгу цIыкIухэмкIэ балигъынэхэр щIехъумэ. — Сыт дунейр зэрыпщIынур? Гугъуехьрэ хьэзабкIэ псыхьащ ар. Укъамыдамэ, нэхъыфIыххэщ. Гуэныхь здэщыIэ гъащIэм ухуеиххэкъым. Абы укIуамэ, къабзэу, нэхуу укъикIыжыфынутэкъым. Уеблэмэ, фIыцIабзэ ущыхъунри хэлъщ. Ар уэ умыцIыху псалъэмакъ, зэрыукI, зэрыфыщI, ныкъуакъуэ, нэпсеигъэ, фэрыщIыгъэ здэщыIэщ. Куэд насыпыфIэ щыхъуркъым уи нэр а къызыхуикIым. — Абы анэ щыIэщ, анэ гуапэ, анэ гуакIуэ, анэ щабэ. Сэ къызжаIэжащ абы зы зэман мащIэкIэ ягъэкIуауэ къэкIуэжахэм. Абыхэм жаIэрт анэм папщIэ улIэнри, укъалъхунри, упсэунри зыми щымыщу. Бэлыхь псори пIэпегъэхуж анэм и бзэрабзэ макъым. Сэ сисащ анэ куэщI, анэм игу къеуэкIэр зэхэсхащ, жэщкIэ къехьэлъэкIыу пIэрэ, жысIэу и бэуэкIэм сыщIэдэIуащ, и хьэуакIэ сэ абы сигъэпсэуащ, зы шхыныгъуэ IэфIу зэдэдгуэшащ. Ауэ анэр зэи къызэдэ-хэщIакъым, зы псалъэ гуапэ зыкъысхуигъазэу къызжиIакъым. ХущIыхьэу къыщIэкIынтэкъым. Гугъу езгъэхьмэ, жысIэу сыгузавэу, зэрыхъукIэ, зыхуэзгъэкъиинакъым. Схуэмышэчу зэзэмызэ, гу зылъезгъэтэн мурадкIэ, зыщыхуэзгъэгуси къыхэкIащ, сыкъыщыфIэмыIуэхум езыр-езыру сытеужырт, сытыр си Iэмалт?.. Хуэзгъэгъут абы сэ псори, тынш-тIэ апхуэдизрэ, уи щхьэ ухуимыту, хьэлъэу сабий къепхьэкIыныр? Сыпсэунут, хьэуар дыджми, гъащIэр еми, цIыхухэр бзаджэми. Къызатакъым, къысхуагъэфэщакъым, къысIэпыщIаудащ дунейр. ГъащIэ къызитыну схухаха, нэхъ лъапIэ дыдэу дунейм щызиIэнум, сызыхуагъэфэщам и щIыб щIыIэр къысхуигъэзащ. Куэд япэзыубыдрэт-тIэ, сэ? Сэ мамэ сыкъилъхуатэмэ, абы нэхъ анэ насыпыфIэ щымыIэу и гъащIэр ирезгъэхьэкIынт, зытезгъэхьэлъэнтэкъым зы мэскъалкIэ, езгъэхъуэпсэнтэкъым быныфI зиIэхэм, сыгуфIэжу езыр сэ згъэфIэнт. Сэр-сэру зэми согупсыс: анэм игугъауэ къыщIэкIынт языныкъуэхэм хуэдэу семыдаIуэу, къысфIэмыIуэхуу, сымылъытэу, гугъу езгъэхьу, ин сызэрыхъуу, къэзгъанэу сежьэжыну. А псом сегупсыса иужь, си анэр згъэкъуэншакъым зыкIи. — Уи анэр дахэ къыщIэкIынт? — псалъэмакъым тришынурами, щIалэ цIыкIур тригъэунурами къыпхуэмыщIэу, зэрыхэгупсысыхьар нэрылъагъуу щIоупщIэ зи нурыр лъагэр. — СыщыжейкIэ, Iэджэрэ пщIыхьэпIэу къысхуэкIуащ, нэхъыбэу сигу къинэжар абы и нэкIум тета анэл пIащэрщ, нэхъри нэхъ гуакIуэж къыпщищIу. Ауэ сэ сызыщыщтар абы и псэм ирищIэкIа фIыцIагъэрт, махуэ къэс багъуэу, зиубгъуу… Мамэ, мамэ, сыту куэдрэ сегупсысрэт а псалъэхэр япэу ныщыбжесIэнум, нызэрыбжесIэнум. Слъагъу сфIэщIырт узэрыгуфIэнур. Сыкъэбырсейрт дунейм сыщыпсэуну, зыпщызмыгъэнщIу жэщкIэ зыпхуэзгъэкъиину, жей жыхуаIэр пщыгъупщэжауэ укъызэрысщхьэщытынур, укъысхуэсакъыу, сэ зезгъэщIэгъуэкIыу, уи макъыр си гущэкъу уэрэду, уи куэщIыр гущапIэм я нэхъ щабэу. Ауэ быныр зритам и унафэщIкъым … Нэбжьыц Iувым хэлъ нэпс ткIуэпсыр ирилъэщIэкIри, зытес нэпкъым елъащ сабийр. Абы ищIэр дадэм зэрилъагъуу, и Iэр идзри дамэ иритащ. ДамитIым ирахьэжьа сабийр адрей нэпкъым къытетIысхьэжащ, гуфIэжу. — Солъэтэф, дамэ сиIэщ, зызоIэт, — и фIэщ мыхъуу лъагэу долъэтей. Сабий къарур сытым хурикъун, зэрызигъэкIэрахъуэу къохуэхыжри, дадэм и IэплIэ щабэм къохуэж. — Сыт тезыр теслъхьэн быну узмыдам? ЖыпIэрщ хуэфэщэнур… — Мами? Хьэуэ, хьэуэ, сэ ар гугъу ехьыну сыхуейкъым, абы и зэранкъым ар, и гугъу умыщI закъуэ. Содэ зэи сыкъамылъхунуми, гъащIэ жыхуаIэр къызамытынуми, псори фызотыж, ауэ мамэ и гугъу фымыщI. СыныволъэIу… ЛIыжьыр, зэрихьэлу, щабэу погуфIыкI. — Зи псэ къабзэр зэкIужщ, лъагъугъуафIэщ, абы пэжыр, дахэр и плъапIэщ, и щхьэр я щхьэузыхьщ щIэупщIэ псоми. Аращ апхуэдэхэм гъащIэ щIамыIэри… Хъунщ, уэ щыжыпIэкIэ, уэр папщIэ мы зэкIэ къэдгъэнэнщ, ауэ абы сыт щыгъуи уэ дэIэпыкъуэгъу ухуэхъуфынукъым, ар уи гугъэу ухуэмылъаIуэ. Езыхэм я Iизыныншэу зи бын къызыIахыжахэм я цIыкIухэр я къэрэгъул бжыхьщ, ауэ псэ зэттар зи IэкIэ зыукIыжам хуэфащэрщ игъуэтыжынур… Дамэ зрата сабийр дунейм къытехьэну, дунейм тетхэм якIэлъыплъыну хуит ящIащ, ауэ цIыхухэм ямылъагъуу, щэхуу. Арати, пшэ Iувыр и зыгъэпщкIупIэу, куэдрэ, куэдрэ якIэлъыплъащ а цIыкIур цIыхухэм, Iэджэ мыхъумыщIагъи ядилъэгъуащ. Илъэгъуащ псэ къабзэ къалъхур зэрауцIэпI, зэрыкIуэд, зэрыунэхъу щIыкIэр. Зи къэухьыр мащIэ цIыхум, нэхъ лъапIэу иIэ псом и нэхъыбапIэр фIэкIуэдауэ, тыгъэ къыхуэзыщIар зэригъэгуфIэн лъэпкъ имыIэу и пащхьэ зэрихьэжыр. Илъагъурт псэ фIыцIэр хужь зэращIыжыр, гуэныхьыр къэхьыгъуафIэ щхьэкIэ, зэрымыпшыныжыгъуафIэр. Iей куэд ядилъагъурт абы цIыхухэм, куэдрэ игу щабгъэдэкIи къэхъурт. Ауэ сыт нэхъыбэу цIыкIур дэзыхьэхыу увыIэгъуэ имыIэу щIым тетхэм щIахэплъыхьыр жыпIэмэ, защигъэнщIыртэкъым абы анэхэм якIэлъыплъын. И нэпс пIащэр къыфIыщIэхуу, кIэлъыхъуапсэрт анэм гуфIэу игъэджэгу сабийм. АнэкIэ узэджэ мыхъун куэд илъэгъуа пэтми, гуауи, гуащIи, мыхъумыщIи щыщыгъупщэжырт абдеж. Езым псори щIитыну хьэзырт, дакъикъэ бжыгъэ нэхъ мыхъуми, а сабий насыпыр зыхищIэн папщIэ. Абы гу къылъатэнтэкъэ? Къылъатащ. Дамэ къезытам езым иужь иригъэувэри бгылъэ щIыпIэхэм щхьэпришурэ, жыжьэ дыдэ кIуэцIришащ. — Мор къэпцIыхужрэ? — и Iэпэр еший зи ныбжьыр хэкIуэта цIыхубзым дежкIэ. — Ар сцIыхуу щытакъым сэ, — зэрыIэнкуну къетыж жэуап мыдрейми. — ФIыуэ еплъ. — СцIыхуркъым… — И бэуэкIэм, и гум и къеуэкIэм едаIуэ. ЦIыхубз жейм бгъэдыхьэри, и щхьэр и бгъэм трилъхьащ. Нэ пIащэхэм я лыдыкIэм гурыIуэгъуэ ящIырт, къезыхьэкIа цIыхубзыр сабийм къызэрицIыхужар. — Ар дауэ? Мыр… — Анэ пхуэмыхъуаращ. — Сэ къызэрысщыхъуам хуэдэу щыткъым мыр. КъызэрысцIыхужу щыта и анэл пIащэр дэнэ кIуа? Сытуи жьы хъуа? Сэ мыр иджы анэ схуэхъужуну? Сыту бжесIэн хуей куэд сиIэ сэ, мамэ… — Къэгъанэ, гущIэгъу зымыщIэ гущIэгъу хуэфащэкъым. ДунеягъэкIи ахърэткIи ипшыныжынущ абы и гуэныхьыр. Апхуэдэхэм бын и IэфI зыхащIэну яхуэфащэкъым. Аракъым уэ уи анэр… Зызычэтхъэж, анэ лъапэм къахукIэрымычыж сабийр быдэу иIыгъыу лIыжьым къишэжри, имыгъэзэжын папщIэ, ирита дамитIыр, къытрихыжащ. Абы иужькIэ а щIыпIэхэм сабий нурыр щалъэгъужакъым. Ауэ гъэщIэгъуэнракъэ, зэрыжаIэмкIэ, куэд дэмыкIыу нурыр къыщхьэщихыу щIылъэм щIалэ цIыкIу къыщалъхуащ… ЛIыжь нурыбэр щабэу погуфIыкI анэл пIащэ зи нэкIум хэс анэр гъащIэ ныкъуэкIэ зыщIэхъуэпса быным щабэу, хуэсакъыу, еIущащэу щилъагъукIэ. Мыдрей цIыкIуми зэрылъэкIкIэ анэ бгъафэм зыщегъафIэ, и щIыхуэу анэм къытехуар иригъэпшыныж хуэдэ…
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27530.txt" }
Джэгур уджкIэ яух УзымыIэтыну къудамэм утемыувэ. Псэр ящэри, напэр къащэху. Пщащэр пагэмэ, ябгынэж. Дахэу ябз дахэу ядыжыркъым. Жьым къихьыр псым ехьыж. Псым и жапIэр езым къегъуэтыж. Псыр гъужми, жапIэр къонэ. ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр зэгурыIуэщ. Дахэ и щIагъ дыщэ щIэлъщ. Жьэ лIыкIуэ нэхърэ щхьэ лIыкIуэ. Уи жыIэ уи IуэхукIэ гъэдахэ. Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъуэ ищIэркъым. Гъуэгум и кIыхьагъым хуэдиз и бгъуагъщ. Акъылыр ландыщэщ, гъэсэныгъэр дыщэ жыгщ. ДахэжыIэ нэхърэ — дахащIэ. Джэгур уджкIэ яух. Е лъыхъуэр ем ехьыж. ЖьантIэм ущIэмыкъу — пхуэфащэмэ, къыплъысынщ. ЗэгурыIуэ гущэщ. ИкIэм упытми зы гуп яхэт. КIыфIми укъыщалъагъу, губгъуэми ущызэхах. ЛъапэкIэ хыфIэбдзэр дзапэкIэ къощтэж.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27532.txt" }
Хабзэм щыщ Iыхьэхэр Адыгэ хабзэр, адыгагъэр лъэпкъыр зы зыщI, зэщIэзыубыдэ, зэщIэзыIыгъэ Iуэхугъуэшхуэ дыдэу щытащ. Ди хабзэм и фащэ нэхъыфI, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ Iыгъыныр, гъэзэщIэныр. Абы къызэщIеубыдэ цIыхум и щIыхьыр зэримыгъэпудыныр, и щхьэ хуищIыж пщIэр, захуагъэр, пэжыгъэр, укIытэр, щытыкIэр, гулъытэр, нэхъыжьыр гъэлъэпIэныр, бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, нэгъуэщIыр уи щхьэм пэщIыныр, н.къ. Адыгэхэм я нэхъыжьым хуащI пщIэмрэ щIыхьымрэ я лъабжьэр къыщежьэр я нэхъыжьхэм ябгъэдэлъ акъылырщ, Iущагъырщ, гупсысэрщ. Адыгэр япэкIэ кIуэ нэхъыжьым зэи кIэлъыджэркъым. Абы лъэщIохьэ, и сэмэгурабгъур зрагъэгъуэт, фIэхъус ирахри, итIанэщ зыхуеймкIэ щеупщIыр. Псалъэмакъ екIуэкIыу щытмэ, нэхъыжь и псалъэ зэпаудыркъым.Уеблэмэ, зыгуэр жаIэну хуеймэ, абы хуит зыкърагъэщI. Нэхъыжь къахыхьамэ, гупыр мэтэдж, дэнэ и дежи, сыт щыгъуи. Ауэ мыбы гу лъытапхъэщ. ГуфIэгъуэ, хьэгъуэлIыгъуэ Iэнэм нэхъыжь къахыхьамэ, е нэхъыжьым щхьэкIэ Iэнэм пэрысхэр тэджауэ зы бжьэ ефэ нэужькIэ, а Iэнэм и тхьэмадэр къэтэджыртэкъым, е къэтэджын хуей хъуамэ, и пIэкIэ зыгуэр Iэнэм пэрысу къэнэну унафэ хуищIырт. Ерыскъы зытелъ Iэнэм нэхърэ нэхъыжь щыIэкъым, абы пэрымысIауэ къэбгъэнэныр хабзэм къезэгъыркъым. Зыхуэтэджыр нэхъыжьым и закъуэтэкъым. Къотэджри, нэмыс хуащI хьэщIэми, бзылъхугъэми. Гъунэгъути, хамэти — зэхэгъэж щыIэкъым. Я унэ исми, губгъуэм итми зэхуэдэщ. Уеблэмэ, шым тесри тэджу щытащ: абы е уанэгум зриIэтыкIырт, е шым къепсыхыпэрт. Унэми, Iэнэм пэрытIысхьэми нэхъыжьым езым и тIысыпIэ иIащ. Ар зыхуэзэр жьантIэрщ. Унэм и жьантIэр зэхьэлIар къызэрахутэр жьэгум елъытауэщ. Ар унэм ущыщIыхьэкIэ бжэм и сэмэгурабгъурт. Нэхъыжь щIэс, хьэмэрэ щIэмыс щыIэтэкъым, абы и пIэм зыри итIысхьэртэкъым, зригъэукIуриен дэнэ къэна. Я адэ щыту, е щысу абы и къуэ балигъ, бын унагъуэ хъужахэри тIысыртэкъым, тутын ефэу ирагъэлъагъуртэкъым, фадэ ефауэ, чэфу я адэ бгъэдыхьэн жыхуэпIэр — Iэмал закъуэ зимыIэт. Нэхъыжьым щыхуэтэджыр ар щалъагъум и закъуэтэкъым. Абы и цIэр зыгуэрым ириIуауэ зэхахми, пщIэ ящIу заIэтырт. НэхъыщIэхэр зыщIыпIэ кIуэнумэ, нэхъыжьым ирамыгъащIэу ежьэртэкъым. Абы къагъэзэжамэ, япэу зыщIэупщIэр нэхъыжьхэрт. ЦIыху гъэсауэ, адыгагъэ, цIыхугъэ яхэлъу ялъытэрт нэхъыжь лъэрымыхь хъуауэ хэлъхэм я деж щIыхьэурэ абы щIэупщIэхэр, еуэршэрылIэхэр, дуней хъыбар езыгъэдаIуэхэр, ечэнджэщхэр. Унагъуэм, лъэпкъым и унафэр нэхъыжьхэм яIэщIэлът. Абы я арэзыныгъэ хэмылъу зыри къэхъуртэкъым. Адыгэ унагъуэр чэнджэщкIэ псэурт, зэгурыIуэмрэ зэдэIуэжымрэ абы и лъабжьэт. Дауи, мэлищэ щIакъуэншэ хъуркъым, щыIагъэнщ зыгуэрхэри. ГъащIэ щыхъукIэ апхуэдэхэри къыхэхуэу щытагъэнущ. Ауэ лъэпкъыр лъэпкъ зэгъэпэщамэ, сыт хуэдэ Iуэхури зэтрауIэфIэжырт, Iуэхур пэжыгъэм, хабзэм тету зэIубз ящIырт. ЦIыху зэгурыIуэкIэм, лъэпкъ зэхэтыкIэм, хабзэм хуэунэтIащ адыгэхэм я лIы Iущ, я жыIакIуэу щыта Къэзанокъуэ Жэбагъы и псалъэ Iущу нобэхэми къыддэгъуэгурыкIуэхэр, бэм я акъылкIэ псыхьа ди адыгэ псалъэжьхэр. Абыхэм куэдым урагъэгупсыс, нэхъыщхьэжыр аращи — хабзэм ухагъасэ, ухуаунэтI, ухуаущий. КъызгурыIуащэрэт, зэхэсщIыкIащэрэт жызыIэм и дежкIэ куэд и уасэщ мы псалъэжьхэр: «Лъэпкъым и напэр зылIми трехыф, лъэпкъым и щIыхьыр зылIми еIэтыф», «ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым». Абы яхуэдэщ Къэзанокъуэ Жэбагъы и псалъэхэри. Абы зы къуэ закъуэ иIэу арати, мащIэIуэщ, жаIэу цIыхухэр къыщыхуэгузавэм, жэуапу яритащ: «Ар лIы хъумэ, сэ абы срикъунщ, мыхъумэ, зэрылъэпкъыу тхурикъунщ». Сыту фIыт ар дэтхэнэ зы адыгэми, дэтхэнэ зы щIалэми игу илъатэмэ. Я насыпу плъытэ хъунущ блэкIа зэманыжьым и щIэинщ, жаIэу хабзэ дахэхэм емыбэну, емызауэу, ар ирагъэфIэкIуэфу зыIыгъ, зезыхьэ лъэпкъхэм. ИкIи, шэч хэлъкъым, апхуэдэхэм я зэIузэпэщагъыр, я псэукIэр абы куэдкIэ елъытащ. Хабзэ щIэныгъэр Iуэхушхуэм и мызакъуэу икIи Iуэху инщ. Ар зэи цIыхум зэран хуэхъуакъым. Зэран хъур щIэщыгъуэщIу, дэтхэнэ зыми ядэплъагъур уемыгупсысу уи гъащIэ хэплъхьэну, хыупщэну ущыхэтырщ, уи хабзэ дахэм и пIэкIэ. Къызыщыхъу щыIэщ хабзэ умыгъэзащIэу узэрыхуейм хуэдэу упсэумэ, нэхъ тыншу, нэхъыфIу. Дауи, узэрыадыгэр пщыгъупщэжауэ, уи ныбэрэ уи фэрэ фIэкIа нэгъуэщI къыпфIэмыIуэхуу щытмэ, упсэуху упсэунущ. Ауэ щхьэхуещагъэмрэ щхьэхуэфIыгъэмрэ псори щIебгъэхъумэмэ, узэрыцIыхум къикIыж щыIэкъым. Зи нэхъыжь зымыгъэнэхъыжьым, зи адэ-анэ елъэстауэм, зи бзэ, зи хабзэ лъэныкъуэ езыгъэзым сыт хуэдэ щIэпхъаджэри къыпхуищIэфыну ялъытэри, апхуэдэхэм адыгэхэм я дзыхь ирагъэзыртэкъым. ЖаIэрт: «Бзаджэр уи цей къуащIэ къытетIысхьамэ, пыупщIи къэгъанэ». МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъым къитхыжащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27534.txt" }
Шэджэм районым и Iэтащхьэ Бакъ Руслан Шэджэм муниципальнэ районым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым иригъэкIуэкIа зэIущIэм район администрацэм и Iэтащхьэу щыхахыжащ Бакъ Руслан. Шэджэм муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къулыкъум ягъэувынур къызэрыхахым теухуауэ гъатхэпэм и 29-м хъыбарегъащIэ къытрадза нэужь, конкурсыр езыгъэкIуэкIыну комиссэм кандидату зрагъэтхыну цIыхуи 7-м къэлъэIуащ. Абыхэм ящыщу 4-р зэпеуэм хэтыну яхуэфащэу къалъытащ. А псоми къабгъэдэкIа тхылъхэм хэплъэри, комиссэм хэтхэм Iэ зэраIэтам ипкъ иткIэ, Бакъ Руслан — а зэманым район администрацэм и Iэтащхьэм и къулыкъур зыгъэзэщIар — рейтингкIэ япэ ищащ. Абы и кандидатурэр къыщыхалъхьащ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ советым и зэIущIэм. Депутатхэм зэдэарэзыуэ Iэ яIэтащ Бакъ Руслан и кандидатурэм папщIэ икIи ар Шэджэм муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэу ягъэуващ. Бакъ Руслан Барэсбий и къуэр КъБАССР-м щыщ Шэджэм районым хыхьэ Шэджэм Езанэ поселкэм 1955 гъэм гъатхэпэм и 24-м къыщалъхуащ. Абы 1972 гъэм IэщIагъэхэм щыхурагъаджэу Бахъсэн къалэм дэта техническэ училищэр, 1996 гъэм потребкооперацэм и сату академиеу Белгород къалэм дэтыр къиухащ. Дзэм къулыкъу щищIа нэужь, IэнатIэ зыбжанэм пэрытащ. Ар КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и управленэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм транспортымкIэ и управленэм и проект-технологие бюром щылэжьащ, 1986 — 1992 гъэхэм Шэджэм ерыскъы комбинатым и къудамэ зыбжанэм я унафэщIу, а IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэу щытащ. 1992 — 1995 гъэхэм Бакъ Руслан «Нартсанэ», «Шэджэм ерыскъыпром», «Кооппром» IуэхущIапIэхэм я унафэщIу, 1996 — 2004 гъэхэм «Къэбэрдей-Балъкъэрым и минеральнэ псыхэр» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и генеральнэ директорым и япэ къуэдзэу, 2004 — 2005 гъэхэм «Реал-Бизнес» концерн» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэм и генеральнэ директору, 2006 — 2008 гъэхэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал щIыуэпс заказникхэм я дирекцэ» къэрал IуэхущIапIэм и унафэщIу щытащ. Бакъ Руслан Шэджэм муниципальнэ районым, Шэджэм къалэ жылагъуэм щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ я советхэм я депутату, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и еплIанэ хэхыгъуэм и депутату щытащ. 2011 гъэм гъатхэпэм и 31-м Бакъ Руслан ягъэуващ Шэджэм муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэу. Ар «Урысей зэкъуэт» урысейпсо политикэ партым и щIыналъэ къудамэу Шэджэм районым щыIэм и политсоветым и секретарщ. Кулиевэ Джаннетэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27536.txt" }
Къанокъуэ Арсен: Си адэшхуэри зауэм къикIыжакъым Зэрыщыту, къэралми хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ Урысей къэралы- гъуэм и тхыдэм хыхьа махуэ лъапIэр — Хэку зауэшхуэм къыщытхьа текIуэныгъэр илъэс 68-рэ щрикъур. Ди республикэм исхэм я дежкIэ а махуэм мыхьэнэ хэха иIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ, ипхъу нэхъыфIу мин 40-м щIигъум Хэкур яхъумэу я псэр ятащ. Накъыгъэм и 9-м пщэдджыжьым щегъэжьауэ Налшык щыIэ «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхыж» мемориалым цIыху куэд удз гъэгъахэр яIыгъыу къекIуэлIащ. Хэкур яхъумэу зи гъащIэр зыта лIыхъужьхэм я фэеплъым я щхьэр хуагъэщхъын папщIэ ветеранхэм ящIыгъуу абдеж къекIуэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, Парламентым и депутатхэр, республикэм и Правительствэм хэтхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Къызэхуэсахэр хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуа нэужь, Къанокъуэ Арсен ветеранхэм яхуэзащ, иужькIэ журналистхэм епсэлъащ. Мы махуэшхуэр езым къызэрилъытэм и гугъу щищIым, Къанокъуэ Арсен къыхигъэщхьэхукIащ ветеранхэр кIуэтэху нэхъ мащIэ зэрыхъур, абы текIуэныгъэм и уасэр къыпхуэмылъытэну зэрыиныр нэхъри нэхъ куууэ зэрызэхыуигъащIэр. «Абы къыхэкIыу дэ ди деж зыри къыщыдгъанэ хъунукъым ветеранхэм пщIэшхуэ зэрахуэтщIыр зыхащIэн папщIэ, хэкIуэдахэри зэи зыщыдгъэгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым зы унагъуи щыIэкъым зауэм хэщIыныгъэ къримытауэ, зи адэшхуэ е адэр зыфIэмыкIуэда къэгъуэтыгъуейщ, абы къыхэкIыу нобэрей махуэм и мыхьэнэм хэхъуэурэ екIуэкIынущ», — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. Ар тепсэлъыхьащ езым и Iыхьлыхэри зауэм зэрыхэкIуэдам: «Си адэшхуэри зауэм къикIыжакъым. Нобэм къэс дэ ар щыхэкIуэда щIыпIэм дыщыгъуазэкъым, куэдрэ ар къэдгъуэтыну дыхэтами. Адэшхуэм и къуэшищи хэкIуэдащ. Абыхэм я сынхэр дэ къуажэм дэт кхъэм щыдгъэуващ». Мемориалым и деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъа нэужь, республикэм и унафэщIхэр ЗэгурыIуэныгъэм и утым кIуащ. Абы щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэм кърихьэлIахэм, ветеранхэм Къанокъуэ Арсен ехъуэхъуащ къэралым ис дэтхэнэ зы цIыхум и дежкIи хэхауэ лъапIэу щыт ТекIуэныгъэр илъэс 68-рэ зэрырикъумкIэ. Зи лIыхъужьыгъэр Хэкум и тхыдэм дыщэ хьэрфхэмкIэ хатха ветеранхэм захуигъазэри абы жиIащ: «ЦIыхур къызэригъэщIрэ и нэгум щIэкIа зауэхэм я нэхъ гуащIэ дыдэм ди къэралым къыщихьа ТекIуэныгъэм и мыхьэнэр зэи нэхъ лъахъшэ зэрымыхъунур быдэу си фIэщ мэхъу. Нобэ дэ догъэлъапIэ текIуэныгъэр къытхуэзыхьа ди лIыхъужьхэр икIи пщIэшхуэ яхуэтщIу дигу къыдогъэкIыж щхьэхуитыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ щIэзэуурэ, Iэщэ яIыгъыу ди Хэкум и щIыхьыр зыхъумахэр, плIыщIрэ тху гъэм и гъатхэм ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьахэр». Кавказым щегъэжьауэ Берлин нэс щрагъэкIуэкIа зауэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэу, и пхъуу мин 40-м щIигъу зэрыхэкIуэдар къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжри, КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ абыхэм я фэеплъыр зэи мыкIуэдыжу цIыхухэм ягу зэрилъып-хъэр, дэтхэнэ щIэблэм и дежкIи ахэр Хэкум хуэпэжу щытыным, лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ я щапхъэу къэнэн зэрыхуейр. «Дэ быдэу къыдгуроIуэ хэкIуэдахэм я фэеплъыр гъэлъэпIэныр, фэ, ветеран лъапIэхэм, пщIэ ныфхуэтщIыныр фэ фи хабзэ гъуэзэджэхэм зэрапытщэм, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным дызэрытелажьэм зэрелъытар. Республикэм властымкIэ и органхэм я деж зыри къыщагъэнэнукъым Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм зрагъэужьын, ар мамырыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэ я гъуэгум тету япэкIэ ягъэкIуэтэн папщIэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дэ ди Iэпэ къызыпекIуэкIыну зыри къэдгъэнэнукъым Хэку зауэшхуэм хэтахэм, псоми ди зэхуэдэ текIуэныгъэр къэхьыным зи зэфIэкI езыхьэлIахэм ящыщу къэнэжа дэтхэнэ зыми пщIэ зэрыхуэтщIыр, зэрытщымыгъупщар зыхедгъэщIэн папщIэ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал властым и органхэм, зэрыщыту ди жылагъуэм щIыхь зыпылъ я къалэнщ», — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. «1941 — 1945 гъэхэм ди цIыхубэм зауэми лэжьыгъэ IэнатIэми щызэрахьа лIыгъэшхуэр, абыхэм я тегушхуэныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ нобэ дэ дызыдэплъеин хуей щапхъэ гъуэзэджэщ», — псалъэм и кIэухыу жиIащ Къанокъуэ Арсен. Сталинград зауэм хэта Щомахуэ Лъостэн и упщIэхэм КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хьэсанэ Руслан жэуап ирет. ЗэгурыIуэныгъэм и утым щызэхуэсахэм я пащхьэ концертышхуэ щатащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и творческэ гупхэм. ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм щыпащащ Налшык и ипподромым. ЩОКЪАРЭ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27539.txt" }
ТекIуэныгъэм, Адыгейм я ныпхэр яIэт Адыгей. Накъыгъэм и 9-м ирихьэлIэу Адыгейм щыщ альпинистхэм ТекIуэныгъэ Иным, республикэм я ныпхэр дуней псом и щIыналъитхум щыIэ щыгухэм щагъэуващ. — Ветеранхэм махуэшхуэмкIэ дехъуэхъун, хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуэтщIын, илъэс 68-рэ и пэкIэ мамырыгъэр зыхъумахэр дуней псом ягу къыщыдгъэкIыжын мурадкIэ ТекIуэныгъэм, Адыгейм я ныпхэр щыдгъэуващ Гималайм и Адленд, Непалым и Кала Патар, Гокиа Ри, Урысей Федерацэм и Iуащхьэмахуэ щыгухэм, Боливием и Уайн Потоси вулканым ахэр нэтхьэсащ, — жиIащ зыплъыхьакIуэ, альпинист цIэрыIуэ, Адыгейм туризмэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Багъэтыр Максим. ТехникэкIэ къызэрагъэпэщ Абхъаз. Урысей МЧС-м мафIэс техникэ, къегъэлакIуэ Iэмэпсымэхэр Абхъазым яхуригъэшащ. Абхъазым КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ и управленэм хуаутIыпщащ техникэ, Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Мэзкуу и гъунэгъу Ногинск къыщежьа хьэлъэзешэхэр нобэ Абхъаз гунапкъэм къэсыну МЧС-р мэгугъэ. Хирургие центр къызэIуах Къэрэшей-Шэрджэс. Иджыблагъэ республикэ сымаджэщым къыщызэIуахащ гу-лъынтхуэ хирургие центр. Нэхъапэм нэгъуэщI щIыналъэхэм кIуэн хуей хъууэ щытамэ, иджырей мардэм къитIасэ медицинэ дэIэпыкъуэгъу лъагэ я щIыпIэм щагъуэтынущ гууз зыпкъыртхэм. Центрыр къызэгъэпэщащ гум ехьэлIа операцэхэр егъэкIуэкIынымкIэ Iэмал къэзыт IэмэпсымэщIэхэмкIэ. Новосибирск и кардиохирургхэм я нэIэ щIэту япэ апхуэдэ Iуэху-тхьэбзэр Къэрэшей-Шэрджэсым щрагъэкIуэкIащ. Я мурадщ мыгувэу техникэщIэмрэ щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ щIэуэ зрагъэщIахэмрэ къа-гъэсэбэпу, щIыпIэ дохутырхэм хирург операцэ гугъухэр ящIыфу зэтраублэну. Уэрдокъуэ Женя.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27550.txt" }
«Урысейм и жылагъуэ телевиденэм» лэжьэн щIедзэ КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм хъыбар фегъащIэ 2013 гъэм накъыгъэм и 19-м ще-гъэжьауэ «Урысейм и жылагъуэ телевиденэм» лэжьэн зэрыщIидзэмкIэ. Ар хагъэхьащ псори еплъын папщIэ Iэмалхэр къызыхузэрагъэпэщыпхъэ каналхэм. Абы къыхэкIыу жылагъуэ телевиденэм и программэхэр къызэратым папщIэ оператор зэмылIэужьыгъуэхэм цIыхухэм лейуэ уасэ къыIахынукъым. «Урысейм и жылагъуэ телевиденэ» зэгухьэныгъэ пыгъэщхьэхукIам и лэжьыгъэм, абы къитыну программэхэм нэхъ зэпкърыхауэ щыгъуазэ зыфщI хъунущ мы хэщIапIэмкIэ: http://otr-online.ru/ КъБР-м ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27551.txt" }
Нобэ 1692 гъэм япэ урыс дзэ кхъухьыр псым трагъэхьащ. инджылыз еджагъэшхуэ Дженнер Эдвард 1796 гъэм япэу фэрэкI хилъхьащ. 1955 гъэм Варшавэ ЗэгурыIуэныгъэр зэращIы- лIащ. Накъыгъэм и 14 — 17-хэм Москва щызэхэтынущ Урысейм и ревматологхэм я VI съездыр. Накъыгъэм и 14 — 18-хэм Мальмё (Швецие) щекIуэкIынущ уэрэджыIакIуэхэм я «Евровидение-2013» зэпеуэр. Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Тау Пщыкъан и ныбжьыр илъэс 76-рэ ирокъу. Композитор, музыковед Блай Тамарэ къыщалъхуа махуэщ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 21 — 23-рэ, жэщым градус 14 — 15 щыхъунущ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27554.txt" }
Будапешт яхуэфIакъым Венгрием и къалащхьэ Будапешт Европэм дзюдомкIэ и чемпионат мэлыжьыхьым и 25 — 27-хэм щекIуэкIащ. Урысей Федерацэм и щIыхьыр абы щахъумащ Къуэдзокъуэ Муратрэ Хьэбэчыр Муратрэ. Зэхьэзэхуэм и етIуанэ махуэм ди щIалитIри утыку къихьащ. Нэгъабэрей апхуэдэ зэхьэзэхуэм и финалым щыбэна, дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер Хьэбэчыр Мурат килограмм 81-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм япэу къыщыхуэза поляк Блах Лукаш хигъэщIэну хузэфIэкIащ. АрщхьэкIэ абы къыкIэлъыкIуа хорват Марьянович Томислав къригъэкIуэтри, зэхьэзэхуэм пасэу къыхагъэкIащ. Нэхъ жыжьэ нэсащ килограмм 73-рэ зи хьэлъагъхэм я зэныкъуэкъуныгъэм хэта Къуэдзокъуэ Мурат. Япэ щIыкIэ ар ефIэкIащ Азербайджаным щыщ Рахимли Хъусейн. ИужькIэ Польшэм икIа Жварновецкий Дамин хигъащIэри, финалым и Iыхьэ плIанэм кIуащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы куржы щIалэ Таталашвили Нуззари къыщытекIуащ. АрщхьэкIэ Къуэдзокъуэм Iэмал игъуэтащ жэз медалхэм щIэбэнынухэм яхыхьэну. Израилым щыщ Муки Саки хигъащIэри, Мурат финал цIыкIум нэсащ. Жэз медалым папщIэ абы къыщыпэщIэуващ Кехвиашвили Зебеде. Куржым и лIыкIуэр аргуэру Къуэдзокъуэм къытекIуащ икIи ди щIалэр саугъэтыншэу къигъэнащ. Гуп зэпеуэм Урысей Федерацэм и цIыхухъу командэ къыхэхам дыжьын медалхэр къыщихьащ. Финалым 1:4-уэ ар Европэм и чемпион хъуа куржыхэм къыщыхагъэщIащ. Ди цIыхубзхэм жэз медалхэр зыIэрагъэхьащ. Къэхъун Бэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27558.txt" }
Псалъэжьхэр шэрыуэу къагъэсэбэп Бахъсэн куейм хыхьэ Ислъэмей къуажэм дэт курыт еджапIэ №3-м иджыблагъэ щекIуэкIащ адыгэбзэмрэ ди хабзэмрэ я махуэшхуэ. «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм хиубыдэу екIуэкI зэхьэзэхуэхэм хэтыну жэрдэм зыщIа Къаскъул Иринэ зи унафэщI школым и егъэджакIуэхэмрэ абыхэм я гъэсэн цIыкIухэмрэ къэпщытакIуэ гупым хэтхэр гуапэу ирагъэблэ-гъат. ЕджапIэ дыхьэпIэм деж абыхэм шууэ къащыпежьат адыгэ фащэхэр зыщыгъ щIалэхэр. Абдежым лэкъум щагъажьэрти, хуейр бгъэдыхьэурэ къищтэрт. Адыгэ джэгукIэхэм дихьэха щIалэхэм я къару ягъэунэхурт. ДэнэкIи адыгэ макъамэ къыщыIурт. ЕджапIэ щIыхьэпIэм деж щегъэувэкIа Iэнэхэр адыгэ шхыныгъуэхэмкIэ узэдат. Мы махуэм еджапIэм щагъэлъэгъуа дерс зэIухахэм ящыщ дэтхэнэри лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр, нарт хъыбархэр я лъабжьэу ягъэхьэзырат. А Iуэхугъуэхэр IэкIуэлъакIуэу хагъэзэгъащ литературэ, химие, биологие, технологие урокхэм. Лъэпкъ хабзэмрэ тхыдэмрэ фIыуэ зэрыщыгъуазэм дэщIыгъуу, абыхэм къагъэлъэгъуащ предмет, щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэпыщIэныгъэр еджакIуэхэм я пащхьэ дерс зэхуэмыдэхэмкIэ иплъхьэ зэрыхъуну щIыкIэхэр. Школым къегъэщIылIа сабий садым и гъэсэн цIыкIухэм я утыку итыкIэ дахэр, адыгэ IуэрыIуатэм и пкъыгъуэхэу псынщIэрыпсалъэхэр, къуажэхьхэр, псалъэжьхэр шэрыуэу къызэрагъэсэбэпыр хьэщIэхэм псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэн ящыхъуащ. Махуэшхуэм и кIэухыу къагъэлъэгъуащ классщIыб лэжьыгъэ. КъэпщытакIуэхэм къабгъэдэкIыу Вындыжь Марие фIыщIэ яхуищIащ махуэшхуэр къызэзыгъэпэщахэм, куей администрацэм, сабийхэм я адэ-анэхэм. ЩОДЖЭН Iэминат.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27561.txt" }
Музыкант зэчиифIэхэр Кавказ Ищхъэрэм ис ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм я зэпеуэу «Творческие вершины» зыфIащам хэту концерт гукъинэж щекIуэкIащ щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ колледжым. Программэм хагъэхьащ музыкэ гъуазджэм и произведенэ нэхъ гугъухэр: Рахманинов Сергей фортепианэмрэ оркестрымрэ папщIэ итха ЕтIуанэ, Ещанэ концертхэм я япэ Iыхьэр, Прокофьев Сергей фортепианэмрэ оркестрымрэ папщIэ итха Ещанэ концертым и япэ Iыхьэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, пианист Iэзэхэм я зэфIэкIыр мы лэжьыгъэхэмкIэ къалъытэ. Концертым зыкъыщагъэлъэгъуащ щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ колледжым и фортепианэ къудамэм и 4-нэ курсым щIэсхэу Жамборэ Софиерэ ЗэшэкIуий Оксанэрэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым и 5-нэ курсым щеджэ Мамаевэ Мадинэ. Абыхэм музыкант зэчиифIэу зыкъагъэлъэгъуащ — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и симфоние оркестрым (республикэм щIыхь зиIэ и артист Темыркъан Петр и дирижеру) и гъусэу классикэ макъамэ ягъэзэщIащ. Нэрылъагъущ республикэм щытхъу къыхуахьу мы ныбжьыщIэхэр урысейпсо зэпеуэхэм зэрыхэтыфынур. ГЕРАСИМОВЭ Риммэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27564.txt" }
Зэрыщытымрэ зэралъытэмрэ ТхакIуэ-философ Бейтыгъуэн Сэфарбий «Изнутри и извне» («Зэрыщытымрэ зэралъытэмрэ») зыфIища лэжьыгъэщIэ «Тетраграф» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. Тхылъыр IыхьитIу зэхэтщ. Япэ Iыхьэр тIууэ гуэшыжащ: зыр адыгэбзэщ, адрейр урысыбзэщ. «2002 гъэ лъандэрэ адыгэбзэкIэ си лэжьыгъэ дунейм къызэрытемыхьар си гуныкъуэгъуэти, ар згъэзэкIуэжауэ аращ», — жеIэ Сэфарбий. Тхылъым итщ ипэкIэ къыдигъэкIахэм имыхуа, тхыдэм теухуа статья зытхух, газетхэм, журналхэм тета тхыгъэхэр, журналист зыбжанэм ярита интервьюхэр. Бейтыгъуэныр егупсысащ ахэр къэплъыхъуэжыныр, къэбгъуэтыжыныр адрей цIыхухэм дежкIэ зэрыгугъум, я Iэри зыхунэмысыну зэрыщытым икIи абыхэм ящыщ зыкъом зэхуихьэсыжащ. Апхуэдэуи тхылъым къыщыбгъуэтынущ псалъэухуахэр, зэман зэхуэмыдэхэм и цIыхугъэхэм, и творчествэм щыгъуазэхэм адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ хуатхауэ щыта псалъэ гуапэ кIэщIхэр — автограф жыхуаIэхэр: адыгэбзэкIэ тхахэр адыгэбзэ Iыхьэм, урысыбзэхэр — адрейм хэтщ. Къыхэгъэщыпхъэщ ди анэдэлъхубзэ псалъалъэм имыту зы псалъэ тIощIырыпщI хъун къызэрыщихьри. Шахматыр фIыуэ зылъагъухэр тезыгъэун напэкIуэцIхэри тхылъым къыщагъуэтынущ. Тхылъым и етIуанэ Iыхьэр Бейтыгъуэн лъэпкъым щыщу Къармэхьэблэ щыпсэухэращ зытеухуар. КъыздикIари, зыщыщри, я Iыхьлыи щIэблэм зэрамыщIэжым тхыдэджыр игъэгузавэрти, лIакъуэкIэрэ унэцIэр зэрызэкIэлъыхьар хитхауэ аращи, я адэ-анэм адэкIи зыгуэр зэрыщыIар къащIэнымкIэ «лъэпкъ жыгыр» сэбэп хъуну и гугъэщ. Сурэт гъэщIэгъуэнхэмкIэ къулей, Бейтыгъуэн Сэфарбий и ныбжьыр илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу дунейм къытехьа тхылъыщIэр гъащIэм и къэхъугъэхэр, цIыхухэм я зэхэщIыкIыр, цIыхубэм я тхыдэр, я нобэмрэ я блэкIамрэ зыфIэгъэщIэгъуэн псоми яхуэгъэзащ. КIУЭКIУЭ ХьэIишэт.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27566.txt" }
Дахэу утыкум ит Даур Иринэ Ди уэрэджыIакIуэ пажэхэм ящыщ Даур Иринэ и утыку итыкIэм, и щэным, и макъым димыхьэх щыIэу къыщIэкIынкъым. Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я мызакъуэу, ар хамэ къэралхэми къыщацIыху, фIыуэ щалъагъу. Иринэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ингушым щIыхь зиIэ я артисткэщ, дунейпсо зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм я лауреатщ. — УэрэджыIакIуэ сызэрыхъунур къыстраIуами ярейщ. Си адэ шыпхъу нэхъыщIэ ФатIимэ Шэрий Иринэ и зэчийм къысхущIэхъуэпсри, абы и цIэр къысфIищауэ щытащ. ЗэрыжаIэщи, «ЦIыхур и натIэм къратхам ирокIуэ». Сыт щыгъуи уэрэд къисшу, макъамэхэр си гум щызгъафIэу сыкъекIуэкIащ. А псом си анэм дзапэ уэрэдыр сыт щыгъуи и Iэпэгъуу, си адэри бэрэбанауэу, уэрэд жызыIэхэм яхэту зэрыщытар хэплъхьэжмэ, дауи гу хуумыщIынрэт макъамэмрэ уэрэдымрэ?! Пэжыр жысIэнщи, школым сыщыщIэса лъэхъэнэм сыхуеплъэкIыжмэ, уэрэд жыIэным теухуауэ къыхэбгъэщ хъуну ехъулIэныгъэ гуэри сиIакъым. СыукIытэхти, уэрэд зэрысхужыIэр къезгъащIэртэкъым, утыкуакIуэуи зэи сыщыттэкъым, — жеIэ Иринэ. Даурым и творческэ гъуэгуанэр зэфIэувэным лъабжьэ хуэхъуахэм яхыубжэ хъуну къыщIэкIынщ уэрэджыIакIуэ нэсхэу Гъэсашэ Наталье, Бэгъуэтыж Светланэ сымэ абы гъуазэу дапщэщи зэриIар. Иринэ зэрыжиIэмкIэ, абыхэм я макъ, я уэрэд зэхихыхукIэ, ар а IэщIагъэм нэхъри дихьэхыу, абы быдэу епха хъууэ къыдэкIуэтеящ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Налшык дэт макъамэ училищэм (иджы Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ колледжщ). «Си анэм имыщIэу сыкIуэри экзаменыр стат. Радиокомитетым къеIысха уэрэд зыбжанэ згъэзащIэри, училищэм абы щыгъуэм и унафэщIу щыта Хьэсанэ Мусэ сыкъищтат… Къысхуигъэдэхатэкъым си анэм IэщIагъэ къыхэсхар, уеблэмэ къызэхъурджэуат, арщхьэкIэ си псэр зыхэпщIар уэрэд жыIэнырти, еджэн щIэздзащ», — игу къегъэкIыж Иринэ. А лъэхъэнэм Иринэ щхьэгъусэ пэж къыхихри, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу унагъуэ дахэ яухуащ, зыпхъу зэдапIащ. «Куэд дыдэкIэ къыздэIэпыкъуащ си щхьэгъусэр, и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI, сыхуэарэзыщ. Абы и фIыгъэкIэ къэзухауэ щытащ Тбилиси къэрал консерваторэри. Седжэху, сыт хуэдэ IуэхукIи зыкъысщIигъэкъуащ, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыст концертхэри къыздиIыгъащ», — жеIэ Иринэ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта иужь, 1990 гъэм Даурыр Налшык дэт Музыкэ театрым и солисткэу, Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ колледжым и егъэджакIуэу мэув. Абы лъандэрэ а IэнатIитIыр бзылъхугъэм зэдехь, и зэфIэкIми хигъахъуэ зэпытщ. Музыкэ театрым щагъэува «Риголлето», «Травиата», «Евгений Онегин», «Алеко» оперэхэм, «Дахэнагъуэ», «Къамботрэ Лацэрэ» адыгэ лъэпкъ оперэхэм, «Летучая мышь», «Сильва», «Цыганский барон» опереттэхэм Иринэ партие нэхъыщхьэхэр щигъэзэщIащ. 1995 гъэм къыщыщIэдзауэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм концерт гукъинэжхэр ет. Абы и пшыхьхэр щалъэгъуащ Иордание, Сирие, Тырку, Германие, Испание, Франджы къэралхэм, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми. «Зи гур къабзэм и IуэхущIафэхэри нэхущ» жаIэ. Даур Иринэ уэрэд жыIэкIэм и щэхухэм хигъэгъуазэ къудейкъым, атIэ езым хэлъ нэмысым и дэтхэнэ гъэсэнри щIипIыкIыну хущIокъу. Илъэс тIощIым щIигъуауэ апхуэдэ лэжьыгъэ купщIафIэ езыгъэкIуэкIым фIыщIэ хуэфащэщ. «Сэ сыт щыгъуи си еджакIуэхэм яжызоIэ адыгагъэм, адыгэ хабзэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр, абыхэм утетмэ, IуэхуфI къызэрыпэкIуэнур. СыкъызыгурыIуэм, сызэхэзыщIыкIым и насыпщ. Къемызэгъыххэр, мы зэманым щIалэгъуалэм ядэслъагъурщ — нэхъыжь щыту щIалэхэр тутын ефэнырщ, хъыджэбзхэм фадэ къаIэтынырщ. Гуп хэтыкIэрэ гушыIэкIэ дахэрэ тхэмылъу хъунукъым адыгэ лъэпкъым. Сэ сызыщIапIыкIар ахэрщ, дызыгъэлъэпIэнури апхуэдэ зэхэтыкIэрщ», — жеIэ Иринэ. ЕджакIуэр колледжым зэрыщIэс илъэсиплIым къриубыдэу, гупсысэ узыншэхэр зиIэ гъэсакIуэм ткIуэпс-ткIуэпсурэ абы хелъхьэ нэмыс, гулъытэ. Ахэр иужькIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студент пажэщ, апхуэдэуи жыджэру зэхьэзэхуэхэми фестиваль зэхуэмыдэхэми хэтщ. «Яхэслъхьэр утыкум наIуэ къыщащIыжмэ, ар си гуапэ зэрыхъур фщIарэт!» — жеIэ Даурым. Иринэ и уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIипщI и гъусэу иджыблагъэ Италием щыIащ. ДыщэкI ФатIимэ, Унэж Аслъэн, Онар Гюльшах, Дэткъул Ланэ, Штанько Дарье, Хьэмыкъуэ Астемыр, Уэрсейхэ Анатолэрэ Аллэрэ, Ивахненкэ Екатеринэ, Жылэ Альбинэ сымэ Рим концертитI щатащ, зыхэта зэпеуэми ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ. Рим нэужьым абыхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Венециеми Милани. «НэхъыфIу дызэреджэным, нэхъыфIу уэрэд зэрыжытIэным дяпэкIэ дыхущIэкъунущ, апхуэдэ утыкухэм дызэрихьэну зэфIэкIым хэдмыгъахъуэуи хъунукъым», — жаIэу, дыздэщыIахэр икъукIэ ягу ирихьауэ дыкъэкIуэжащ», — жеIэ Иринэ. ГъащIэм щиIэ насыпым Даур Иринэ лъэныкъуитIкIэ йоплъ. Япэр и унагъуэрщ — и дэлъхухэрщ, и шыпхъухэрщ, и бынхэрщ, етIуанэр и творчествэрщ. Абы жеIэ: «Си анэр псэуху, насып вагъуэу ар сиIащ. Нобэ, Алыхьым и шыкуркIэ, си лъэр жан ящI си пхъурылъху цIыкIуитIым. ЕтIуанэр иджы дыдэ, мэлыжьыхьым и 16-м, дунейм къытехьауэ аращ. Ахэр зыпэсщIын дунейм теткъым. Мыдрейуэ, гукъыдэжышхуэ къызэзытыр си лэжьыгъэрщ. Езгъаджэхэр утыку къыщихьэкIэ, ахэр зы лъагапIэ гуэрым нэсауэ щыслъагъукIэ, къаруущIэ къысхалъхьэ». Иринэ и «школым» щIэкIауэ иджыпсту куэдым ди утыкур ягъэбжьыфIэ. Апхуэдэхэщ Бэрэгъун Марьянэ, Мэз Джульеттэ, Хьэцей Тимур, Уэзрокъуэ Чэрим, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я ехъулIэныгъэхэм щогуфIыкI ар. Даур Иринэ и гъэсэнхэр макъамэм и жанр псоми щегъэлажьэ. Классикэ, оперэ, иджырей уэрэдхэр… куэд мэхъу ахэр. Апхуэдэщ: Бах, Моцарт, Верди сымэ я IэдакъэщIэкIхэр, урыс композиторхэм щыщу Алябьев Юрийрэ Варламов Александррэ, адыгэхэм — Къардэн Хьэсэн, Шэрий Иринэ, Молэ Владимир, ХьэIупэ ДжэбрэIил, нэгъуэщIхэми я лэжьыгъэхэр. Игъасэ щIалэгъуалэр Иринэ утыку и гъусэу кърешэ, уэрэдхэр ядыжеIэ — цIыху хэтыкIэ екIу щIалэгъуалэм яхэлъхьэнымкIэ ар зэрыIэмалыфIыр гъэсакIуэ нэсым къыгуроIуэ. Апхуэдэуи, Иринэ иригъаджэхэм зэи ящигъэгъупщэркъым ди щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ псом япэ игъэщын, хъумэн зэрыхуейр. УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэр абы къыхуреджэ эстрадэм хуабжьу къыщагъэсэбэп хъуа фонограммэм пэIэщIэу щытыну: «Уи макъ къабзэкIэ бгъэзащIэ уэрэдыр цIыхум ягу нэхъ нос. «УэрэджыIакIуэ нэс» къыпхужаIэну ухуеймэ, абы тетыпхъэщ», — яжреIэ еджэхэм. Егъэджэныгъэри и уэрэд жыIэнри екIуу зэдэзыгъэлажьэ Даур Иринэ псэун, щIэблэм сэбэп яхуэхъун, цIыхур гъэгуфIэн мурадхэрщ иIэри, цIыхуфIым хуэфащэ пщIэр игъуэтыну, гушхуэныгъэ хэлърэ зыгъэгумэщI щымыIэу дунейм тетыну ди гуапэщ! P.S. Даур Иринэ и пшыхь екIу иджыблагъэ щызэхэтащ Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм. УэрэджыIакIуэр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъур дагъэлъэпIэну абы еблэгъат ныбжьэгъухэр, лэжьэгъухэр, Iыхьлыхэр, фIыуэ къэзылъагъухэр. «Ныбжьэгъухэм я зэхуэс» — арат и фIэщыгъэри концертым. Музыкэ театрым и унафэщI Бэрэгъун Руслан псалъэ гуапэхэмкIэ уэрэджыIакIуэм зыхуигъэзащ, ехъулIэныгъэхэр адэкIи иIэну ехъуэхъуащ. Налшык къалэ администрацэм къыбгъэдэкIыу Дол Анжелэ Даурым ахъшэ саугъэткIэ хуэупсащ икIи къыхигъэщащ а бзылъхугъэм хуэдэ псэ къабзэ, гу зэIуха зиIэ нэхъыбэу къытхэтмэ, лъэпкъыр нэхъ бей зэрыхъунур. Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и республикэ комитетым и унафэщI Дау Марьянэ Иринэ и лэжьыгъэ купщIафIэхэм папщIэ щIыхь тхылъ иритащ. Иринэ и махуэр дагъэлъэпIащ Ташло Алий, Зеущэ Iэуес, иригъаджэ студентхэм. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27569.txt" }
И адэжь Хэкум псэкIэ къыпыщIа сурэтыщI Шемякин-Къардэн Михаил и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу Шемякиным и Iэзагъым лъабжьэ хуэхъур и фIэщхъуныгъэ куурщ. Щэнхабзэ, лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэр зэмыщхь зыщI нэкъыфIэщIым блоплъыфри, езы гъуазджэм и купщIэ лъагэм лъоIэсыф Михаил. Дэ игъащIэкIи дигу къэмыкIынум абы гурыгъуазэ защIэкIэ дыхуешэ. Iыхьэ цIыкIу-цIыкIуххэу зэхэухуэна гъащIэ къуажэхьыр езым и нэгум къыщIыхьэ теплъэхэм иту ди пащхьэм кърелъхьэри, къэхъугъэм и щэхур къыдегъэщIэф. Одижье Жан, Маенк Эдвард. США, Сан-Францискэ къалэ. ГъащIэ гъуэгур Шемякин (Къардэн) Михаил. Сурэтыр Уэлджыр Артур трихащ. 1997 гъэ Шемякин-Къардэн Михаил 1943 гъэм накъыгъэм и плIым Мэзкуу къыщалъхуащ. И сабиигъуэр Кенигсберг (Калининград) къалэм щихьащ. 1957 гъэм Мэзкуу къоIэпхъуэжри, сурэтыщIхэр щагъасэ еджапIэм, Репин Илья и цIэр зезыхьэм, щIотIысхьэ, арщхьэкIэ «и дуней еплъыкIэр совет щIалэгъуалэм зэремыкIум къыхэкIыу» къыщIагъэкIыжри, зи акъылым сэкъат иIэхэр зыщIэлъ сымаджэщым залымыгъэкIэ щIагъэгъуалъхьэ. Илъэсищ дэкIыу абы къыщIатхыкIыжа нэужь, сурэтыщI IэщIагъэм хуеджэн и мураду Михаил нэгъуэщI еджапIэ щIотIысхьэ. Абы и унафэщIым и пэшым яшэу КГБ-м и лэжьакIуэхэр пхъашэу къыщепсалъэм, и еджэныр зэпигъэун хуей мэхъури, Ленинград дэт дин еджапIэм (духовнэ семинарие) макIуэ. Семинарием и Iэтащхьэр я еджакIуэм теухуауэ къыщагъэгузавэм, абыи къыщIокIыж. Пощтзехьэу, иужькIэ — сурэтыфIхэр хуиту илъагъун папщIэ — Эрмитажым хьэлъэзешэу щылэжьащ илъэс зыбжанэкIэ. ЛэжьапIэ нэужьым сурэт цIэрыIуэхэм копие ятрищIыкIыурэ, паубыда IэщIагъэм хуэIэзэ хъуащ. 1964 гъэм музейм къыщызэIуах гъэлъэгъуэныгъэм Шемякиным и лэжьыгъэхэр хагъэхьати, Эрмитажым и унафэщIыр трагъэкIащ, «къэралым еныкъуэкъу гъуазджэм щIэгъэкъуэн хуэхъуу» къалъытэри. 1971 гъэм франджы сурэт гъэлъэгъуапIэ цIэрыIуэхэр зыгъэлажьэ Верни Динэ Ленинград къакIуэу Шемякиным и сурэт гуп щищэхум, Михаил яубыдри «унэшхуэм» яшащ. Сымаджэщым, хьэпсым, е къэралым икIыным щыхагъадэм, иужьрейр къыхихащ. Франджым илъэс зыбжанэкIэ щыпсэуа нэужь, США-м, Нью-Йорк, мэIэпхъуэри илъэсипщIкIэ абы щолажьэ. 1989 гъэм Урысейм къихьэжыну хуит ящI, Къэрал саугъэтыр хуагъэфащэ. Санкт-Петербург Шемякиным ищIауэ мывэ фэеплъищ, Нью-Йорк — зы дэтщ. ХыщI гъэхэм сурэтыщIым иубла унэтIыныгъэм ипкъ иткIэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр лъабжьэ хуэхъуащ Хадсон къалэм психологиемрэ творчествэмкIэ институт къыщызэIуихыным. Доктор дамыгъэу тху къыхуагъэфэщащ. 2007 гъэ лъандэрэ Франджым, Шатору къалэм, и щхьэгъусэ Сарэ де Кэй и гъусэу щопсэу. Доротея и цIэу пхъу иIэщ, адэм и IэщIагъэр къыхихыжауэ. АдэкIэ къыдохь Шемякиным иужьрей илъэсхэм ита интервьюхэм ящыщ пычыгъуэхэр. Къэралым зэрикIар Шато де Шамуссо сэрейр зэгуэр еджапIэу щытащ, иужькIэ абы фашист зэрыпхъуакIуэхэр щIэсащ. Иджы абы урыс сурэтыщI цIэрыIуэ Шемякин Михаил щопсэу. 1960 гъэхэм ар совет «щIыщIагъ щэнхабзэм» (underground) и пашэхэм ящыщт. Абы и сурэтхэр зыхэт гъэлъэгъуэныгъэхэр зэхуащIыжу щытащ, зи щхьэ куцIым сэкъат иIэхэм щеIэзэ сымаджэщым илъэсищкIэ «щагъэхъужащ», 1971 гъэм Совет Союзым ирахуащ. Дуней псом къыщацIыхуар Франджым Iэпхъуа нэужьщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр Третьяков и цIэр зезыхьэ сурэт гъэлъэгъуапIэм, Иджырей гъуазджэм и музейуэ Париж дэтым, Нью-Йорк и «Метрополитен»-м, нэгъуэщI сурэт хъумапIэ цIэрыIуэхэм щIэлъщ. И фэеплъ мывэхэм къалэшхуэхэм я уэрамхэр ягъэщIэращIэ. Сурэт ещI, спектаклхэр «ехуапэ», фильмхэр трех. — УщыцIыкIум уи нэгу къыщIыхьэрэт пасэрей франджы сэреишхуэм ущыпсэуну? — Сэ сыкъыщыхъуар Кенигсбергщ. Зауэм къела нэмыцэ унэ ныкъуэкъутэхэм языхэзым дыщыпсэууэ арат. А лъэхъэнэм, дауи, сигу къэкIыртэкъым. Зэгуэрым ди гъунэгъу журт дадэм сыкъигъэуIэбжьат. Зэгуэр ди дежкIэ некIуэкIауэ тхьэмыщкIэ дыдэу дызэрыпсэур щилъагъум: «ПщIэрэ, сэ сыраввинщ (журт дин щIэныгъэлI). Сыноплъри, солъагъу зэгуэр унэ абрагъуэ дахащэм ущыпсэууэ». Сыдыхьэшхащ. Мы унэра хъунт абы илъэгъуар. — Уи IэдакъэщIэкIхэр Гофман и лIыхъужьхэм ещхьщ. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? — А зи гугъу сщIа къалэрщ Гофман къыщалъхуар, Кенигсберг. ПщыхьэщхьэкIэрэ си анэр абы и тхыгъэхэм къысхуеджэрт. Нэмыцэ романтикхэм я дуней еплъыкIэм сыщIапыкIауэ жыпIэ хъунущ. Илъэс куэд хъуауэ «Гофманиада» фильмым солэжь. «Союзмультфильм» таурыхъ щIыпIэм дэсщI лэжьыгъэщ ар. — Уи IэдакъэщIэкIхэр щхъуэкIэплъыкIэу, гукъыдэж къуату щытщ, уэ езыр нэхъыбэм фIыцIэкIэ ухуэпащ. — Щыгъын фIыцIафэ къыщIыхэсхыр, нэхъ сырыхухэр сыщылажьэкIэ бжьыгъэ мэхъури аращ. Галифем къэрандащти сытти, сызыхуей псори йохуэ, жыпым илъу Iэджи къыздызохьэкI. Дэ дыкъуажэдэсщ, мыбы блэхэр щыкуэдщ, аращ шырыкъу щIысщыгъыр. — Совет цIыхубэр уи лэжьыгъэм хуэхьэзыртэкъым. Сытыт абы и щхьэусыгъуэр? — Дэ къэралым деныкъуэкъуауэ, гупсысэ гуэр пхыдгъэкIыну дыхэтауэ убжыныр пэж дыдэу щыткъым. Сэ сыт щыгъуи «пхэнжу гупсысэхэм» сыхабжэрт, а зэманым угупсысэххэныр езыр Iуэху пхэнжу ягъэуват. Езы совет зэхэтыкIэр бий къэлъыхъуэным тегъэпсыхьауэ щытт, цIыхухэм гу зылъатапхъэм лъамытэн хуэдэу. Ноби апхуэдэ гуэрхэм гу щылъыботэ абы. Гъуазджэм телажьэ цIыхухэр иджыри гугъу йохь. Телевизорым къищ нэмысыншагъэр лъэпкъыр зытекIуэдэжынкIи хъун Iуэхущ. Лъэпкъыр щэнхабзэ узыншэм нэхъ пэжыжьэху, абы упэлъэщыну нэхъ тыншщ. АпхуэдизкIэ хьэдыгъуэдахэщ къагъэлъагъуэри, цIыху къызэрыгуэкIым игу къекIуэнкIэ, си фIэщу жызоIэ, хъунущ. — Совет зэманым уи IэдакъэщIэкIхэм парт лэжьакIуэхэм «ягу къригъакIуэртэкъэ»? — Хьэуэ. Дэ партым ди Iуэху зэрихуэртэкъым. Ар къафIэщIу аращ. СагъэтIысу «унэшхуэм» и пэшхэм языхэзым срашэлIа нэужь, къэралым срахун Iуэхур зи пщэ далъхьа хабзэхъумэм къызжиIащ: «Михаил Михайлович, уэ къыбгурыIуэн хуейр зыщ. Дэ хэкIыпIэ зыбжанэ удогъэлъагъу адэкIи упсэуа зэрыхъунум теухуауэ. Зыр — сымаджэщым бгъэзэжыныр, зэман кIыхькIэ абы ущыIэныр зищIысыр уэ бгъэунэхуакIэщ. Е удогъэтIыс. Ауэ афIэкIа хьэпсым укъикIыжынукъым. ЩIэрыщIэу тезыр къыптралъхьэурэ екIуэкIынущ. Ещанэр, — ар уи дежкIэ нэхъыфIу къытфIощI, — Iэуэлъауэншэу, зыми жумыIэу къэралым уикIыныр. Уи ади уи ани сэлам иумыхыжу. Абы ухуэхьэзырмэ, дэри дыбдэIэпыкъунущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм уигъэпсэунукъым». Мис ар и жэуапщ уи упщIэм. — Фыгъуэ фIэкIа зыри хэмылъу арат-тIэ уи Iуэхум? — Фыгъуэтэкъым ар, шынэт. СурэтыщIхэм я «бандэр» зэуджэкI шхалъэм тегужьеикIауэ арат. Ар дыдэр щекIуэкIырт Композиторхэм, ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэми. КъыхуаутIыпщ мылъкур, лэжьапIэ пэшхэр зыIэщIагъэкIыну хуейхэтэкъым. Зэгухьэныгъэм хэт сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр гъэ къэс къищэхуну къэралым къалэн зыхуигъэувыжырт, ахъшэ яритурэ зыплъыхьакIуэ игъакIуэрт, нэгъуэщI-къи-нэмыщIхэмкIи къапэIэбэрт. Арати, сурэтыщI щIалэхэр «хьэжьхэм» дызыIурадзэн хьэзырт. МэкIэ ящIэрт езыхэр зэманым къызэрыкIэрыхуари, щIалэгъуалэм гъуэгу зэрагъуэту, гупкIэм къызэрихунури. Аркъудейт, а щIакхъуэ Iыхьэрат щIэныкъуакъуэр. Си пхъур цIыкIуу, пщэфIапIи, псы пщтыри димыIэу дыпсэуащ, зытхьэщIыпIи адрей узыхуэныкъуэ дыдэхэри хэттэкъым дызыщIэс унэм. Ауэ хуитыныгъэр псом нэхърэ нэхъ лъапIэт. Сымаджэщым сыщIамыдзэжмэ, арат сызыхуейр. Психбольницэм зэ ущIэлъамэ, «билет хужь» зиIэхэм ухабжэрт. ХьэщIэ лъапIэ, псалъэм папщIэ, Кастрэ Фидель, къэралым къакIуэмэ, машинэ кърижэурэ дыкъыхащыпыкIырти, мазэкIэ дыщIаубыдэрт… Кривцов Евгений. (Мазаем и 28, 2012 гъэ) Урысей Федерацэм и Президент Ельцин Борис УФ-м и Къэрал саугъэтыр кърет. 1995 гъэ Санкт-Петербург щохьэщIэ США-м и Президент Буш Джорджрэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимиррэ. 2003 гъэ Къэбэрдейм сыщыкIуэжкIэ… Шемякин Михаил-сурэтыщIым и адэ Шемякин Михаил Петр и къуэр къэбэрдей лъэпкъыжь Къардэнхэ къахэкIащ, ауэ пасэу и адэр фIэкIуэдри, мылъхуадэ хуэхъуа, Гвардие Хужьым и офицер Шемякин Михаил и унэцIэмкIэ ятхын щIадзащ. И анэ Юлие Николаевнэ урыс уэркъ лъэпкъ Предтеченскэхэ ящыщщ. — Михаил, сыт уи унэцIэр тIуащIэу, Шемякин-Карданов жыпIэу птхын щIыщIэбдзар? — Си благъэхэм тIэкIу зыкъысхуагъэгусэ. Кавказым сыщыкIуэжкIэ Хэкум и лIыхъужьым хуэдэу срагъэблэгъэжри, си унэцIэр сыт щыгъуи тIуащIэу жаIэ: Шемякин-Къардэн. ЕтIуанэ унэцIэр къизмыIуэмэ, я жагъуэ мэхъу. Ут Плъыжьым, фестивалыр екIуэкIыху, си лъэпкъыцIэр къраIуэну унафэ сщIащ. Нобэ «кавказ лъэпкъ нэрыбгэу» ущытыныр узыгъэдахэ шыфэлIыфэу щыткъым, ауэ сэ селIалIэркъым къыстеуэну фэм, си лъэпкъыцIэми срогушхуэ. — Сыщымыуэмэ, илъэсипщI хуэдиз ипэкIэ, «Кавказыр Урысейм къыгуэкIынкIи хъунущ…» жыпIэгъат. Сытыт апхуэдэу ущIегупсысыр? Ар къыщIэмыхъуари сыт? — Иджыпстуи согупсыс апхуэдэу. КъыгуэкIын, зэбгрылъэлъын Iуэхухэр зэшэзэпIэу къыщыхъу щыIэщ. Мис, зэрегъафэхэри Союзышхуэр зэпкърагъэхуащ. Хуэмурэ, кIыхьлIыхьу щызэгуэкIи щыIэщ. Кавказым и Iуэхури аращ. Тетыгъуэр иджыри апхуэдэу хуэмыхуу фIэкIа мылэжьэнумэ, ар къэхъункIэ шынагъуэ щыIэщ. Кавказ республикэхэм щекIуэкIхэм фIыуэ щыгъуазэ, бгырысым и гупсысэкIэр къызыгурыIуэ, я гуныкъуэгъуэхэр псэкIэ зыхэзыщIэрщ УФ-м и политикэр абы щызэкIэлъызыгъакIуэу игъэлэжьэн хуейр. Лэжьыгъэ щымыIэу, гугъапIэ зимыIэж щIалэгъуалэр бгым ихьэжу адэкIи екIуэкIыу щытмэ, Урысейм Кавказыр щыфIэкIуэдыну зэманри жыжьэжкъым. — Нобэ Шэшэныр зэтебэяуа хуэдэу щытщ, кIуэ, Дагъыстэным Iэуэлъауэ щыкуэдщ. Иджы мес, Къэбэрдей-Балъкъэрми — уи адэжьхэм я Хэкуми — узыгъэгузавэ гуэрхэр къыщохъу, илъэсищэрэ щэ ныкъуэрэ и пэкIэ екIуэкIа Кавказ зауэри… Языныкъуэхэм адыгэхэм я лъэпкъгъэкIуэд екIуэкIауэ къалъытэ, адрейхэм — зауэр зауэщ, лъэныкъуитIым дежкIи хьэлъэт ар жаIэ. Уэ дауэ уеплърэ? — А зауэр апхуэдизкIэ гущIэгъуншэт икIи захуагъэм пэжыжьэти, ущымыуэжыну лъэпкъгъэкIуэдкIэ уеджэ хъунущ. Сэ аращ Iуэхум сызэреплъыр. Иджыблагъэ скульптор Iэзэ ГъукIапщэ Арсен фэеплъ игъэхьэзыращ, ар ирамыгъэгъэувмэ, Урысеймрэ Кавказымрэ я зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр фIыуэ къэтIэсхъэнущ. — Сыт хуэдэ фэеплъ ар? — Кавказ зауэм, а гузэвэгъуэм и фэеплъ. Тенджыз ФIыцIэ Iуфэм сабий IэщIэлъу бзылъхугъэ Iутынущ, къуршым къыгуэуда мывэм хуэдэу къыхэхауэ, адыгэхэр щикIа щIыпIэм деж шу щытынущ. Ари къуршым къыгуэуда хуэдэу щIащ. И кIуэцIыр музейуэ, а хэкуикI гухэщIым теухуауэ. Иджыпсту дызопсалъэ, дызэгурыIуэну дыхэтщ. Псори арэзыщ, урыс интеллигенцэри хэту. — Си гугъэмкIэ, уэри Кавказым ехьэлIа мурад гуэрхэр уиIэщ? — Кавказым теухуа си плъапIэхэм я купщIэр щIалэгъуалэр егъэджэн, дунейпсо утыку ишэн зэрыхуейращ. Франджым, Тур къалэм, метр зэбгъузэнатIэ минитI къыщысщэхуащ, Кавказ Ищхъэрэ Гъуазджэм и IуэхущIапIэ хъун хуэдэу. Сэ сызыхуейр «кавказ», «кавказым щыщ» щыжаIэм деж «укIыгъэ», «гузэвэгъуэ» ягу къэмыкIынырщ. — Адыгэхэм я IыхьэфI XIX лIэщIыгъуэм Урысейм къинэри, нобэреибзэкIэ жыпIэмэ, империем хэшыпсыхьащ: егъэджакIуэ, щIэныгъэлI, офицер, уеблэмэ генерал хъуахэщ. Адрейхэм Урысейм и тепщэныгъэр ягу темыхуэу, я Хэкур ябгынащ. Иджы нобэ езы адыгэхэм я гупсысэкIэр зэщхьэщыкI си гугъэщ а Iуэхум теухуауэ? — Сытым дежи апхуэдэу щытынущ. Iуэху еплъыкIэ узыншэ зиIэхэр нэхъыбэ щIын хуейщ, Урысейм хэтыным Кавказ Ищхъэрэм и фейдэ зэрыхэлъыр къагурыIуэн хуэдэу. Урысейм япэу хыхьар къэбэрдейхэращ. Карамзин укъеджамэ, Къардэн пщым и къуэхэр Грозный Иван деж игъакIуэри, зыр пащтыхьым деж къэнащ, адрейр къэкIуэжри Къэбэрдейр Мэзкуу пщыгъуэм зэрыгухьар дэфтэркIэ игъэбыдащ. Ауэ нобэ Урысейм ар хуэмыIыгъмэ… Хуейкъым иIыгъыну… Зыми къыфIэIуэхукъым… Флъагъукъэ, къэралыр зэхэзэрыхьащ… Куэдым зэрахуэр зы Iуэху закъуэщ — дыгъуэн. Дыгъуэн, дыгъуэн… Кавказым зауэ щекIуэкIыху, абы дыхэтхъыкIынщ жызыIэхэри щыIэщ… Зыр — магъ, адрейр — матхъэ… Урысейми езы Кавказым щыщ гуэрхэми я фейдэ хэлъщ абы, псоми ящIэ ар… Москалев Сергей. (ФокIадэм и 19, 2012 гъэ) Шемякин Михаил и еплъыныгъэм хэтщ КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен. Санкт-Петербург, 2008 гъэ. Темыркъан Юрэ егъэхьэщIэ. США, Клаверак щIыналъэ, 1995 гъэ Ди бжыгъэр мин 64-м нос — Сэ Кавказ лъэпкъхэм я нэхъ инхэм языхэзым сыщыщщ. Урысейм Къардэн унэцIэр зезыхьэу мин 12 дисщ, ди нэхъыжьхэм ябж къытхэхъуэри тхэщIри. Къэрал щIыбым щыпсэухэм ди бжыгъэр мин 64-м нос. Ди благъэхэр Израилым, Тыркум, Иорданием щопсэу. Япэм Кавказым мыкIуэфым и махуэ мыгъуэу псэуащ Урысейр. Сыт хуэдэ ныбжьэгъугъэ дэлъа кавказ лъэпкъхэмрэ урысхэмрэ я зэхуакум?! Иджы хэт нобэ абы пхуэкIуэнур? Хлопониным Кавказыр Бахъшысэрейм хуэдэ хъунущ мыгувэу, зыгъэпсэхупIэхэр щыдухуэнущ, жеIэ. УпщIэ къоув: а зыгъэпсэхупIэхэм кIуэнур хэт? ЩIалэгъуалэм дадэмылажьэмэ, щэнхабзэм зыщиузэщIын IуэхущIапIэ гуп Кавказми Урысейми къызэдмыгъэпэщмэ, зыми зихъуэжынукъым. КъагурыгъэIуэн хуейщ кавказ лъэпкъхэр зищIысыр. Ар сэри си къалэнщ. Франджым Кавказ Ищхъэрэ Щэнхабзэм телэжьэн IуэхущIапIэ къыщызэIусхыну зызогъэхьэзыр, ауэ зыми мылъку къыхилъхьэну хуейкъым. Псори зауэм токIуадэ. Шэшэн хьэргъэшыргъэми куэдым я фейдэ хэлъщ, ягъэувыIэн Iуэху щIызэрамыхуэри аращ. ЛъэныкъуитIри хотхъыкI. Зэтыдогъэувэж жаIэнурэ ахъшэр псыежэхым хуэдэу къаутIыпщынущ. Иджыпсту урысхэр къызэщIагъэст, «Куэдщ Кавказыр зэрыдгъэшхар!» — жызыIэхэм я бжыгъэм хохъуэ. «Дэ зыдукIыжу долажьэ, модэ бгым пыIэ къуацэхэр ящхьэрыгъыу зыгуэрхэр къокIри къэдлэжьыр яшх», — жаIэу зэхыбох. Ауэ щыхъукIэ, ахъшэу ядыгъум гъунэ иIэкъым. Кавказым уэру яутIыпщ ахъшэр IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэм я жыпым макIуэ, цIыхубэм соми яIэрыхьэркъым. Ауэ набдзэгубдзаплъэу ухэплъэмэ, Кавказым кIуэр зырикIщ, езы Урысейм щызэхадыгъуэм елъытауэ. Дыгъум «Дыгъур фубыд!» жеIэри мэкIий. Ахэращ Кавказ лъэпкъхэр ялъагъу мыхъуным зи фейдэ хэлъыр. Жвание Дмитрий. (Жэпуэгъуэм и 4, 2012 гъэ) ФIыуэ илъагъу Никулин Юрий, СССР-м и цIыхубэ артистым, IуощIэ. 1992 гъэ Урыс усакIуэ цIэрыIуэ Вознесенский Андрейрэ Шемякин Михаилрэ. 1987 гъэ Срогушхуэ Кавказым сызэрыщыщым — «Кавказ лъэпкъ нэрыбгэу» узэрыщытыр щхьэ сытым дежи къыхэбгъэщрэ? — Срогушхуэ Кавказым сызэрыщыщми, сэ сэщхьу, зи къуэпсхэр абы къыщежьауэ зи Хэкур зыщымыгъупщэжа «кавказ лъэпкъ нэрыбгэхэми». Си адэшхуэхэмкIэ си къуэш Темыркъан Юрэ дирижер Iэзэр, Мариинскэ театрыр игъащIэкIи зылъэмыIэсыфын лъагапIэм нэзыгъэ-са Гергиев Валерий, «La Scala» театрым и балетмейстер нэхъыщхьэ Вазиев Махар сымэ абыхэм ящыщщ. Ахэр дунейпсо утыку ихьэфахэщ, си щхьэр лъагэу соIэт си хэкуэгъухэм ар зэрахузэфIэкIам папщIэ. Шато де Шамуссо сыщыпсэу унэм дуней псом щыщ студентхэр сщIэм щыхузогъасэ, лекцэ сыкъыщоджэ. Си гуапэ хъунут абыхэм адыгэхэм ящыщ студентхэри нахыхьамэ, уи ужь къиувэнухэм уегупсысын хуейщ. — Мэзкуу тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм томитI хъу уи альбомыр яхэтщ. Уи лэжьыгъэр къепхьэлIэжу ара абыкIэ? — Фыщымыгугъ! Лэжьыгъэр къесхьэлIэпэн и пэ, кавказ хьэлым тету, иджыри вакъэ зыкъом згъэлэжьэнущ. Альбомыр Адыгей университетым тыгъэу къахуэсхьащ. 1959 гъэм щыщIэдзауэ сщIа лэжьыгъэхэр ихуащ абы, фыхэплъэ, фыхэдэ. — Адыгейм япэ дыдэу укъэкIуауэ аращ. Сыт яжепIэнт щIалэгъуалэм? — Япэрауэ, сигу дыхьащ къыскIэлъызэрахьа хьэщIагъэр. ЕтIуанэрауэ, зи щIалэгъуэм Iуэхум хэзыщIыкIхэм я деж зыщагъэсэн хуейщ. ДызэгурыIуащ си институтым и къудамэ Адыгей университетым къыщызэIутхыну. — Къэралым урахуа, абы и цIыхуу укъамылъытэжа пэтми, сытым дежи Урысейм и сурэтыщIу закъыбогъэцIыху. Ухуейкъэ урыс паспорт къеIыпхыжыну? — Хэкум ухуэлэжьэныр, урысу е адыгэу зубжыжыныр псэр зыхуэпабгъэ гуэрщ. Паспортым итракъым нэхъапэр. Дэ къэралым дыщрахуми тщIэрт Тхьэм къыдитар зыми зэрыттримыхыфынур, ар ди гъусэу нызэрыкIуэр. Путиным зэгуэр къызжиIащ: «СощIэ уэ Америкэм узэрыщыщыр. Ауэ уэ Урысейм папщIэ куэдкIэ нэхъыбэ уощIэ нобэ сэ сыхэкулIщ жаIэу зи бгъэ теуIуэжхэм нэхърэ». А Кавказ Ищхъэрэ дыдэм Америкэмрэ Франджымрэ сыщыIэу нэхъыбэ хузощIэф. Паспорт къыдэсхыжынщ жысIэмэ, апхуэдизкIэ тхылъымпIэ куэд зэхуэсхьэсын хуейщи, фэ къыстеуэн къудей щхьэкIэ, зэман схуэгъэкIуэдынукъым. Къады Каринэ. Адыгэ Республикэ. (Жэпуэгъуэм и 22, 2010 гъэ)
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27573.txt" }
ЛIыхъужьым и лъэужьыр кIуэдыркъым Вагъуэ Плъыжь орденымрэ «И хахуагъэм папщIэ» медалымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ лIыхъужь Тыгъуэн Дулэ къызэрыхуагъэфэщар илъэс куэд дэкIауэ къыщIэщыжауэ аращ. Хахуагъэ къигъэлъагъуэу Хэку зауэшхуэм хэта, сержант нэхъыжь, фочауэ дивизэм и 44-нэ полкым и 128-нэ гвардие къудамэм и командирыр зауэ IэнатIэм Iуту яукIащ, зэрихьа лIыгъэм хуэфащэ дамыгъэхэр къратыным нэмысу. Ахэр Дулэ и къуэ Тыгъуэн Борис военкоматым къыщратыжащ. Хъыбарыншэу кIуэдауэ иджыри къэс дэфтэрхэм ита лIыхъужьым и лъэу-жьым техьар военкоматым и лэжьакIуэхэрщ. Абыхэм къагъэнэIуа тхылъымпIэхэм зэритымкIэ, 1901 гъэм къалъхуа Тыгъуэн Дулэ Жандар и къуэр 1941 гъэм Налшык дэт военкоматым ириджэри, зауэм яшащ. 1944 гъэ пщIондэ лIыхъужьыгъэ зэрихьэу и Хэкум къыщхьэщыжащ, зауэ IэнатIэм къыщызы-къуиха хахуагъэм хуэфащэ дамыгъэ къратыну тIэу къагъэлъэгъуащ. Зэхэуэ гуащIэхэм ящыщ зым Дулэ уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, 1944 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэу дунейм ехыжащ. Накъыгъэм и 8-м шэджэмдэсхэм МафIэ мыужьыхым деж пэкIу щащIри, Хэку зауэшхуэр зэриухрэ иджыри зы илъэс зэрыдэкIар ягу къагъэкIыжащ икIи Тыгъуэн Дулэ хуэдэу псэемыблэжу абы хэтахэм яхуэщыгъуащ. ЛIыхъужым и лъэужьыр кIуэдыркъым. Зэман куэд дэкIами, Дулэ зэрихьа лIыгъэм хуэфащэр, адэ щIэину, абы и къуэ Борис Iэрыхьэжащ. Шэджэм щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27583.txt" }
БЕЗРОКЪУЭ Маритэ: УзыщыгуфIыкIын ехъулIэныгъэхэр ди мащIэкъым УФ-м и Президентым и жэрдэмкIэ иужьрей илъэсхэм егъэджэныгъэм къыхыхьащ IуэхугъуэщIэхэри унэтIыныгъэщIэхэри. Абыхэм ящыщщ IэщIагъэ щызрагъэгъуэт курыт еджапIэхэм (лицейхэм, техникумхэм, училищэхэм) хэпщIыкIыу зегъэужьыныр, абыхэм я пщIэр жылагъуэм къыщыIэтыжыныр. Абы щхьэусыгъуэ хэхаи иIэщ: зызыужь экономикэр хуэныкъуэщ техникэщIэхэр къыщагъэсэбэп IуэхущIапIэхэм щылэжьэфыну IэщIагъэлIхэм. Безрокъуэ Маритэ Егъэджэныгъэ IэнатIэм зэманым къыхуигъэув апхуэдэ къалэнхэр зэфIэха зэрыхъум щыгъуазэ зыхуэтщIын мурадкIэ, дыщыIащ Налшык дэт Къэбэрдей-Балъкъэр сату-технологие колледжым. Гъуэгуанэ кIыхь икIи купщIафIэ къэзыкIуа еджапIэр иджыблагъэ хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ профтехеджапIэхэм я зэпеуэм, ехъулIэныгъэфIхэри къыщихьащ. Колледжым щызэфIах лэжьыгъэм, щIыналъэпсо зэпеуэм зэрыхэтамрэ абы кърикIуахэмрэ тедгъэпсэлъыхьыну зыхуэдгъэзащ IуэхущIапIэм и унафэщIым егъэджэныгъэмкIэ и къуэдзэ, УФ-м профтехегъэджэныгъэмкIэ и отличник Безрокъуэ Маритэ. — Маритэ, дэ дыщыгъуазэщ фи колледжыр нэхъыфIхэм зэрыхабжэм. Ар зи фIыщIэр, дауи, абы и Iуэхухэр къызыхуэтыншэу зезыгъакIуэ унафэщIырщ, зэдэууэ зэдэлажьэ гупырщ… — Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ къозыт и еджапIэхэм уахэплъэмэ, ди колледжыр тхыдэшхуэ зиIэ, лэжьыгъэшхуэ щызэфIах IуэхущIапIэхэм ящыщщ. Илъэс 75-м нэсащи, ар хьэлэлу хуолажьэ лъэпкъ экономикэм зегъэужьыным, ар зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр игъэхьэзыру. Нобэрей гъащIэм узэрыхэпсэукIыфын, IэнатIэ зэрыщыбгъуэтын, къэрал экономикэм къыщысэбэпын IэщIагъэ куэдым ущыхурагъаджэ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, хьэщIэщхэм я менеджер (администратор, портье), пщафIэ, техник-технолог, бухгалтер. ЕгъэджакIуэ Сидоровэ Валентинэ студентхэр пщэфIэным и щэхухэм щыгъуазэ ещI. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI ди колледжым. Ди улахуэр щехуэхаи щыдэкIуеижаи, ди студентхэм я бжыгъэр нэхъыбэ щыхъуаи щыкIэрыхуаи — зыми емылъытауэ ди егъэджакIуэ-гъэсакIуэхэр, хэщI щымыIэу жыхуаIэм хуэдэу, куэд щIауэ зэдэлажьэ гупышхуэщ. УнафэщI щыпкъэ Къардэн Хьэбил зи пашэ ди колледжым ди мащIэкъым дызэрыгушхуэ IэщIагъэлIхэр, Iуэху зехьэкIэ пэрыткIэ зи цIэр Iуа егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр. Опытышхуэ яIэу, илъэс куэд щIауэ лажьэу, IэщIагъэлI хъарзынэхэр ягъэхьэзыру диIэщ Полун Лидие, Толмачёвэ Таисие, Стегайловэ Людмилэ, Къудей Люсенэ, Хьэпэ Земфирэ, Дол Лидэ, Уэдыжь Маринэ, нэгъуэщIхэри. Сыт хуэдэ къалэн я пщэ иплъхьэми, пщIэрэ щхьэрэ пылъу зэфIахынущ а нэхъыжьыфIхэм. Абыхэм я щапхъэм ирокIуэ къытхыхьэ щIалэгъуалэри. Ахэр лэжьыгъэм IэкIуэлъакIуэ хуэхъун папщIэ, дэ, нэхъыжьхэр, сыткIи дадоIэпыкъу. Хуабжьу дахуэарэзыщ егъэджакIуэхэу Молэматэ Заринэ, Къазий Маринэ, Дэхъу Амирэ, Шыбзыхъуэ Залинэ, Къардэн Замирэ, Щхьэгъэпсо Мадинэ, Боллуевэ Ольгэ сымэ. Лэжьэн зэрыщIадзэрэ куэд мыщIами, ягурэ я псэрэ етауэ ахэр пэрытщ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм, студентхэми елIалIэу, нэхъыжьхэми зыдрагъэкIуу. Апхуэдэу зэдэууэ дяпэкIи дызэдэлажьэмэ, шэч хэлъкъым: зэманым къытхуигъэув къалэныщIэхэр, жэуаплыныгъэ зыпылъхэр, екIуу зэфIэтхыфынущ. — Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ профтехеджапIэхэм я зэхьэзэхуэм фызэрыхэтам, фыхэтам и мызакъуэу, ехъулIэныгъэ къызэрыщыфхьам, гугъэ уегъэщI фи мурадхэр къывэхъулIэнымкIэ. А зэпеуэм укъытхуетепсэлъыхьыжамэ, ди гуапэт. Колледжым и гъэсэнхэр. — Курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ къозыт еджапIэхэм я щIыналъэпсо зэпеуэм дызэрыхэтам хуабжьу дыщыгуфIыкIыжащ. Абы и утыку къитлъхьат ди колледжым лъэхъэнэщIэм декIуу адэкIэ зиужьыныр, абы щекIуэкI лэжьыгъэмрэ Iуэху зехьэкIэмрэ зэредгъэфIэкIуэну щIыкIэр зи лъабжьэ Программэ. А дэфтэрым гулъытэшхуэ щи-гъуэтащ, пщIэшхуэ къыщыхуащIащ зэхыхьэм икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, адрейхэм къыхагъэщхьэхукIащ, сом мелуан 40 хъу грантыр къыпэкIуэу. Абы щыщу мелуан 35-р къэрал бюджетым къикIынущ, адрейр ди щIыпIэ бюджетымрэ IэщIагъэлIхэр зыхуэдгъэхьэзыр IуэхущIапIэхэмрэ къытхуаутIыпщынущ. Дэ тхуэдэ еджапIэхэр нобэ зэрыт щытыкIэ гугъур къэплъытэмэ, ар ди дежкIэ мылъкушхуэщ. А Программэм и унэтIыныгъэхэр тещIыхьащ ди республикэм и экономикэм зэрызиужьын хуей лъэныкъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу «Туризмэмрэ сервисымрэ» жыхуиIэм. Ар къыщIыхэтхам и щхьэусыгъуэр зэфIэхыпхъэ Iуэхугъуэхэр зыхуедгъаджэ IэщIагъэхэм, къытпэщылъ къалэнхэм нэхъ япэгъунэгъуу зэрыщытырщ: хьэщIэщхэмрэ турбазэхэмрэ я лэжьыгъэр егъэфIэкIуэн, зыгъэпсэхуакIуэ, зыплъыхьакIуэ къакIуэхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщын папщIэ, а псоми хуеджа, хуэIэзэ IэщIагъэлIхэр лэжьапIэ IэнатIэм хуэхьэзыру колледжым къыщIэгъэкIыныр. Къэрал куэд щыIэщ ди щIыпIэм дахагъэу, зыгъэпсэхупIэу, нэгу зегъэужьыпIэу иIэм и ныкъуи ямыIэу, ауэ щыхъукIи, абы фейдэшхуэ къыхахыу, ирипсэуфхэу. Экономикэм езыр-езыру зыкъиIэтынукъым, зиужьынукъым, а дахагъэхэм, фIыгъуэхэм я Iэмалхэр къыумыгъэсэбэпмэ. Ахэр къэтлъытэри, зэхэдгъэуващ Программэр икIи абы къыщыдгъэлъэгъуащ дунейпсо мардэхэм къытхуигъэув къалэнхэр. Ахэр епхащ технологиещIэхэр, Iэмал пэрытхэр ди лэжьыгъэм къыщыгъэсэбэпыным, зэредгъаджэ программэхэр, методикэр абы тещIыхьауэ убзыхуным, нэгъуэщIхэми. УФ-м туризмэм 2030 гъэ пщIондэ нэхъри зыщегъэужьыным, а унэтIыныгъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ къэрал унафэ щхьэхуэ щыIэщ. Ди Программэм къызэрыщыдгъэлъэгъуамкIэ, а унафэм итхэмрэ дэ зыхуэдгъэувыжа къалэныщIэхэмрэ хуабжьу зэхуокIуэ. ШхапIэхэр егъэфIэкIуэныр къапщтэмэ, ар туризмэмрэ сервисымрэ къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ; Шэрэдж, Шэджэм, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ куейхэм «экономикэ щIыпIэ хэха» фIащауэ хьэщIэщ ехьэжьахэр щаухуэ, хьэщIэкIуапIэ щIыпIэхэу ялъытэнущи, абыи ди лэжьыгъэ хэтлъхьэфынущ, IэщIагъэлIхэр хуэдгъэхьэзыру; 2030 гъэ пщIондэ илъэс къэс хуэзэу турист мелуанищым щIигъум ди щIыпIэм зыщагъэпсэхун хуейуэ щытщи, абыи Iэмал къыдет адэкIи ди колледжым зиужьыну. НобэкIэ мы Iуэхугъуэм елэжьхэр IэщIагъэлI мин 15-м нэблагъэу арамэ, къэрал программэщIэхэр гъащIэм хапщэмэ, абыхэм я бжыгъэр тIукIэ нэхъыбэ хъунущ, ауэ щыхъукIэ, дэри а IэнатIэхэм яхуэдгъэхьэзырын хуейщ лэжьакIуэ мин 30-м нэс. Дэ нобэ дгъэхьэзырын, едгъэджэн хуей менеджерхэм, пщафIэхэм, Iэнэзехьэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэр, Iэзагъыр, IэкIуэлъакIуагъэрщ куэдкIэ зэлъытар ди республикэм дяпэкIэ зэрызиужьын хуейуэ яубзыхуа а унэтIыныгъэм иIэну щытыкIэр. Аращи, а псор зэпкърыхауэ къыщыдгъэлъэгъуа ди ПрограммэщIэм хуэфащэ дыдэу къэрал гулъытэ игъуэтащ. — Зи гугъу пщIы а Программэм, шэч хэмылъу, иригъэфIэкIуэнущ фи еджапIэр зыдэлажьэ зыгъэпсэхупIэхэм яхувиIэ пыщIэныгъэхэр, сыту жыпIэмэ зыгъэпсэхуакIуэ куэд, хамэ къэралхэм къикIхэри яхэту, къызэкIуалIэ ди щIыпIэ курортхэр хуэныкъуэщ зи лэжьыгъэм хуэIэижь IэщIагъэлIхэм. — Мы зэманым дэ дадолажьэ «Къэббалъкътурист», «Iуащхьэмахуэ-тур», «Iуащхьэмахуэ-альпинист», нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми, турбазэхэри, хьэщIэщхэри, зыгъэпсэхупIэхэри яхэту. Абыхэм яхудиIэ пыщIэныгъэхэр адэкIи гъэбыдэныр куэдым елъытащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм и «пкъоуэ» къалъытэ егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм, зэфIэкIым хагъэхъуэныр, IэнатIэм щIэуэ къыхыхьэ Iэмэпсымэхэр, технологиещIэхэр къагъэсэбэпыфу, абыкIэ я лэжьыгъэр ирагъэфIакIуэу щытыныр. А мурадхэр къыдэхъулIэмэ, дэ къыщIэдгъэкI IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм, ди еджапIэр къызэраухыу, занщIэу IэнатIэ ягъуэту, я лэжьыгъэм хуэIэзэу, зыгъэлажьэ унафэщIри къыхуэарэзыуэ щытынущ. Зэпеуэм къыщытхьа текIуэныгъэм и фIыгъуэ куэд тлъагъуну дыщогугъ. Зыужьыныгъэм и гъуэгум нэрылъагъуу дытезышэ а Программэм и фIыгъэкIэ ди щхьэ пщIэ хуэтщIыжу дылэжьэнущ, дызыхуей псомкIи дыкъызэгъэпэщауэ. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэр хуедгъэджэфынущ нэгъуэщI IэщIагъэ гуэрхэми, ауэ щыхъукIэ, студентхэми Iэмал яIэнущ щIэныгъэ куу зрагъэгъуэтыфыну, я IэщIагъэм хэлъ щэхухэм щыгъуазэ зыхуащIыну. Ди мурадхэр къыдэхъулIэмэ, ди студентхэм я бжыгъэми хэхъуэнущ, ахэр зэредгъаджэ Iэмэпсымэхэм, оборудованэхэм, компьютер программэхэм щIэуэ куэд къахэхъуэнущ, хамэ къэралыбзэхэр нэхъ куууэ едгъэджыфынущ, къызэдгъэпэщынущ кабинетыщIэхэр, лабораторэ щхьэхуэхэр. — Зыхуэвгъэувыжа къалэныщIэхэм, фиIэ мурадыщIэхэм щIэдзапIэ яхуэхъу сыт хуэдэ Iуэхухэр япэ ивгъэщрэ мы зэманым, Маритэ? — Республикэм и экономикэм хуэдгъэхьэзыр IэщIагъэлIхэр лэжьыгъэм хуэIэзэу, щIэупщIэ яIэу, щIэныгъэ куу ябгъэдэлърэ сыт хуэдэ IэнатIэми зрапщытыфу гъащIэ гъуэгу тедгъэувэн папщIэ, ахъшэшхуэ зытекIуадэ хэкIыпIэ гуэрхэр зэхэтлъхьащ. Абыхэм ящыщщ ди студент общежитым и зы къатыр «тренинговэ хьэщIэщ» жыхуаIэм хуэдэу, щедгъаджэу, щыдгъасэу, практикэ щедгъэкIуэкI IэнатIэ зэрытщIынур. КъинэмыщIауэ, «Лаборатория вкуса» фIэтщауэ пщэфIэкIэм и щэху псори щагъэнахуэ, Iэзагъэ псоми щыхурагъаджэ, дахагъэ псори щагъэлъагъуэ, пщэфIапIэ «телъыджэм» и центр зэрытщIыным яужь дитщ. Абы къыкIэлъыкIуэнущ «Бармен-Iэнэзехьэ» центрым и къызэгъэпэщыныр. Махуэ къэс зызыужь ресторан бизнесым нобэ увыпIэ щыбгъуэтын папщIэ, IэфIу упщэфIэныр мащIэщ — ерыскъыр дахэу, Iэзэу, гъэщIэрэщIауэ щытыпхъэщ, а псори цIыхум и пащхьэм екIуу илъхьэнри Iуэхушхуэщ. ПрограммэщIэм тету студентхэр абыхэм хуезыгъэджэн хуей IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэнми гулъытэ хэха худощI. Иджыпсту къыхыдох егъэджэныгъэм къыщыдгъэсэбэпыну Iэмэпсымэхэр, оборудованэхэр. Лингофон кабинету 6, компьютер классу 3 щIэуэ догъэув, программэщIэхэмкIэ предмет псори ебгъэдж хъууэ, зэманым декIуу, зыхуейхэмкIи къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщауэ. Псори дыщыгъуазэщ иджырей щIалэгъуалэр тхылъ еджэным дебгъэхьэхыну зэрыгугъур. Ар къэтлъытауэ, ПрограммэщIэм ипкъ иткIэ ди библиотекэм и лэжьыгъэми щIэ куэд хыдолъхьэ. Студентхэм абы щагъуэтынущ зэреджэ тхылъхэм, пособиехэм нэмыщI, электроннэ тхылъхэри, диплом лэжьыгъэ зыгъэзащIэхэм къагъэсэбэпыпхъэ техникэ Iэмэпсымэхэри. Ди гурылъхэр къыдэхъулIэмэ, ди республикэм и экономикэр, абы щIыгъуу ди псэукIэр зэрефIэкIуэнум шэч хэлъкъым. — Фи мурадхэр къывэхъулIэну, фи колледжым щекIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр нэхъри ефIэкIуэну ди гуапэщ. Епсэлъар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27586.txt" }
Хъуэхъу Лэскэн куейм хыхьэ Урыху къуажэм щыщ Хур Мадинэ ХьэзрэIил и пхъур къыщалъхуа махуэщи, дохъуэхъу ПщIэ зыхуэтщI бзылъхугъэ дахэ Мадинэ! Уи махуэшхуэмкIэ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр къызэрыпхуагъэфэщамкIэ ди гуапэу дынохъуэхъу. Нобэ хуэдэу уи пщIэр лъагэу, уефIакIуэу, узыншагъэмрэ лъагъуныгъэмрэ уи Iэпэгъуу, уи мурадхэр къохъулIэу, узыпэрыт лэжьыгъэм и хъер плъагъуу куэдрэ упсэуну ди гуапэщи, фIыгъуэу щыIэм я нэхъ лъапIэмкIэ Тхьэр къыпхуэупсэ! ФIыуэ укъэзылъагъу, пщIэ къыпхуэзыщI уи ныбжьэгъухэмрэ лэжьэгъухэмрэ. «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27592.txt" }
Хьэлэл мардэр «Дыщэ щхьэмыж» агроконцерным и хэщIапIэм накъыгъэм и 8-м къыщызэIуахащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм зихуэдэ щымыIэ IуэхущIапIитI — лымрэ шэ щIэмыхумрэ щелэжьыну комбинатхэр. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд IуэхущIапIэщIэхэр къызэIуех (сэмэгумкIэ етIуанэщ). Абыхэм иращIэкIа гуфIэгъуэ зэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэр, Хэку зауэшхуэм хэтахэр, Налшык лы комбинатым щылэжьахэр, тылым и ветеранхэр, министерствэхэм, ведомствэхэм, жылагъуэ, политикэ организацэхэм я лIыкIуэхэр, республикэм и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и нэхъыжьхэр, ирагъэблэгъа хьэщIэхэр. — ПщIэ зыхуэтщI ныбжьэгъухэ! Нэхъ пасэу дыпежьауэ дэ догъэлъапIэ псоми ефIэкIыу икIи нэхъ нэхуу ди Хэку лъэпкъыбэм и тхыдэм игъащIэкIэ хыхьа ТекIуэныгъэм и Махуэр. Фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейт Налшык лы комбинатым и лэжьакIуэхэм ящыщу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр нэгъабэ накъыгъэм и 8-м агроконцерным и пщIантIэ екIум къызэрагъэIэпхъуар. ЩIэрыщIэу къызэIуахыжа сыным ди щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи псэр зытахэм я цIэхэр дыщэпскIэ тетхащ, «МафIэ мыужьыхыж» хузэщIагъэнащ. Фронтым Iутахэм къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ захудогъэщхъ, нэхъ гущIэгъуншэ дыдэу цIыхум и тхыдэм хыхьа лъыгъажэ зауэм и бэлыхь псори зыгъэва, зи фэм дэкIа ди нэхъыжьыфIхэм фIыщIэ мыухыж яхудощI. А мафIэ лыгъэм зи щхьэр хэзылъхьахэр зэи тщыгъупщэнукъым, — къыхигъэщащ зэIущIэр езыгъэкIуэкIа, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Дол Анжелэ икIи гуфIэгъуэ пэкIур къызэIуихын папщIэ, республикэм и вице-премьер Къуэдзокъуэ Мухьэмэд псалъэ иритащ. — Дэ хабзэфIу къыддокIуэкI махуэшхуэхэм ехъулIэныгъэщIэкIэ дыпежьэу. Ноби апхуэдэ щхьэусыгъуэ дахэкIэ дызэхыхьауэ, иджырей IэнатIэщIэхэр къызэIудох, — жиIащ абы. — Лымрэ шэ щIэмыхумрэ щелэжьыну комбинатхэр зыухуар «Дыщэ щхьэмыж» агроконцернырщ. Ар жыджэру зызыужь бизнес IуэхущIапIэщ. Абы хохьэ зэфIэкI зыбгъэдэлъ мэкъумэш IэнатIэу 26-рэ. Агроконцерным цIыху 600-м щIигъу IэнатIэкIэ къызэрегъэпэщ. Нобэ ди нэгу щIэкI Iуэхугъуэр республикэм и зыужьыныгъэм и зы Iыхьэщ. Иужьрей зэманым абы и лъэныкъуэкIэ гъунэ хъарзынэхэр итлъауэ къыдолъытэ. Ди унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр хэхауэ зытещIыхьар иджырей технологие нэхъ лъагэ дыдэхэрщ. Аращ а Iуэхум гулъытэшхуэ щIыхуэтщIыр, — жиIащ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. — КомбинатыщIэхэм Iэщ гъэхъуным нэхъри зрагъэужьынущ, инновацэ агропромышленнэ комплексхэр республикэм къыщызэгъэпэщыным лъабжьэ хуэхъунущ. «Дыщэ щхьэмыж» агроконцерным и унафэщIхэм, и лэжьакIуэхэм, иджырей IэнатIэщIэхэр ухуэным зи гуащIэ хьэлэл хэлъ псоми фIыщIэ яхузощI, ди ветеранхэмрэ мы зэIущIэм кърихьэлIахэмрэ ТекIуэныгъэм и Махуэ лъапIэмкIэ сынывохъуэхъу, мамыр гъащIэрэ зэIузэпэщ псэукIэрэ фиIэну си гуапэщ. Мы Iуэху дахэм Тхьэм фIы къытхудигъакIуэ! Къызэхуэсахэм гуапэу ехъуэхъуащ Шэшэн Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хакимов Хьэсэн. — ПщIэ зыхуэтщI ветеранхэ, ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ! Нобэрей махуэр фи республикэм и тхыдэм Iуэхушхуэу, угъурлыуэ зэрыхыхьэнум шэч хэлъкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэщ гъэхъуным зэпIэзэрыту зыщеужь, былым лъэпкъыфIхэр къэгъэхъуным гулъытэ хъарзынэ щегъуэт. А лэжьыгъэфIым хуэфащэу икIи пызыщэу иджы къызэIуфх инновацэ комплексыщIэхэм зэрыщыту Кавказ Ищхъэрэм дежкIи мыхьэнэшхуэ яIэнущ. Сыту жыпIэмэ, мы предприятэхэм я IэдакъэщIэкI зэмылIэужьыгъуэхэр, фIагъышхуэ зиIэ ерыскъыхэкIхэр абыхэм яIэрыхьэнущ. Шэшэным и Правительствэм къыбгъэдэкIыу ТекIуэныгъэм и махуэ лъапIэмкIи, нобэрей IуэхугъуэмкIи псоми сынывохъуэхъу, — захуигъэзащ хьэщIэм зэхуэсахэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Профсоюзхэм я федерацэм и унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт къызэригъэлъэгъуамкIэ, «Дыщэ щхьэмыжым» и IэнатIэхэм лэжьыгъэр хъумэным пыщIа хабзэхэмрэ зэхущытыкIэхэмрэ тэмэму щагъэзащIэ. Езы агроконцерным и жэрдэмкIэ, пэщIэдзэ профсоюз организацэхэр я лъабжьэу, инновацэ предприятэхэм я реском къызэрагъэпэщынущ икIи я федерацэм къудамэщIэу хыхьэнущ. КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дзасэжь Хьэзрэталий къыхигъэщащ комбинатхэм гъэшымрэ лымрэ ислъамым и хабзэм тету зэрыщелэжьынур, ерыскъыхэкI псори хьэлэлкIэ дызэджэж мардэм къитIасэу зэрыщагъэхьэзырынур икIи тыкуэнхэм куэду зэрыщащэнур, агроконцерным и къэпщытакIуэ-кIэлъыплъакIуэ гупым Iимамхэм ящыщ зэрыхагъэхьар. — Налшык лы комбинатым и пщIантIэм дашу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр мыбдеж къызэрыфхьам папщIэ фIыщIэ ин фхудощI. Абы лэжьакIуэхэр зэкъуигъэувэнущ, Iуэхум тригъэгушхуэнущ, зи псэр зытахэр щапхъэ яхуэхъунущ. Нобэ щхьэусыгъуэ дахэкIэ дызэхыхьащ. Апхуэдэу екIуэкIмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуагъэфэща ордениплIым етхуанэри къахэхъуэным хуэIуа щыIэкъым. «Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыдахыжащ. Фи зэфIэкIым ар къыпэкIуэну си гуапэу ТекIуэныгъэм и махуэмкIи, къаруушхуэ зэфхьэлIа IэнатIэщIэхэмкIи сынывохъуэхъу. Тхьэм псоми фIы къытхудигъакIуэ, — къыхигъэбелджылыкIащ ветеранхэм я Налшык къалэ советым и унафэщI Абдуллаев Мустэфа. Абы къыхилъхьэри, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым зэхуэсахэр дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ. Налшык лы комбинатым и лэжьыгъэр илъэс тIощIым щIигъукIэ зыунэтIа Къуэжей Iумэтджэрий, КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм деж щыIэ жылагъуэ советым хэт Щомахуэ Юрэ сыми къагъэлъэгъуащ Iэщ гъэхъуныр республикэм нэрылъагъуу зэрыщызэтеувэжыр, ар зыужьыныгъэм и хэкIыпIэфIу зэрыщытыр икIи мы Iуэху щхьэпэр къыдэхыным, пхыгъэкIыным, екIуу, нэгъэсауэ зэтеублэным хэлIыфIыхьахэм фIыщIэ хуащIащ, я мурадхэр къайхъулIэну, дяпэкIи нэхъыбэж къахузэпищэну ехъуэхъуащ. Налшык къалэм и курыт школ №28-м и еджакIуэхэм зэIущIэм хуагъэхьэзыра программэр ягъэлъэгъуа нэужь, «Дыщэ щхьэмыж» агроконцерным и унафэщI IутIыж Арсен псалъэ къыIихащ. ЗэIущIэм кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIри, ар кIэщIу къытеувыIащ лымрэ гъэшымрэ щелэжьыну комбинатхэр илъэсищ иримыкъум зэрызэфIагъэувам, ухуэныгъэ, монтаж, коммуникацэ лэжьыгъэхэр фIагъ лъагэ яIэу и пIалъэм зэрызэфIагъэкIам, IэнатIэхэм щызэтраухуа Iэмэпсымэ псори Евросоюзым и пщалъэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зэрапэхъум. — Я щытыкIэкIи, Iуэхум зэрыхуэщIакIи мы комбинатхэм ефIэкIыныгъэшхуэхэр яIэщ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрызиужьыну программэ зыубгъуам и зы Iыхьэщ. Ди мурадхэр зэдгъэхъулIэн щхьэкIэ, хэхауэ зытетщIыхьыр иджырей технологие нэхъ лъагэ дыдэхэрщ. Нобэ къызэIутх предприятэхэр, къызэрыхагъэщащи, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыяпэщ, лэжьэкIэщIэм тещIыхьащ, фIагъышхуэ зиIэ лыхэкIхэр, гъэшхэкIхэр щыдгъэхьэзырынущ, — къыхигъэбелджылыкIащ IутIыж Арсен. ПэкIу нэужьым зэхуэсахэм я Iэгуауэм щIэту данэ лентI плъыжьыр зэпаупщIри, комбинатыщIэхэр къызэIуахащ, зыхуэдэм еплъащ, я лэжьэкIэнум зыхагъэгъуэзащ. Проектхэм сом мелуан 824-рэ къыщагъэсэбэпащ. Гъэш комбинатым илъэсым шэ щIэмыхуу тонн мин 16-м щелэжьыфынущ, продукцэ лIэужьыгъуэ 17-м щIигъу щагъэхьэзырынущ. Лы комбинатыр илъэсым былымылу тонн мин 15-м, джэдкъазылу тонн мин 24-м елэжьыным тещIыхьащ. ЛыхэкI ерыскъы лIэужьыгъуэ 20-м щIигъу къыщыщIагъэкIынущ. Лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым лабораторэхэр ткIийуэ кIэлъыплъынущ. — Псори зытетщIыхьыжыр цIыхухэрщ, абыхэм я узыншагъэр хъумэнырщ, егъэфIэкIуэнырщ. Абы къыхэкIыу, дгъэхьэзыр лыхэкIхэмрэ гъэшхэкIхэмрэ я фIагъым гулъытэшхуэ хуэтщIынущ, — къыхигъэщащ агроконцерным и унафэщIым IэнатIэщIэхэр щаригъэлъагъум. Ветеранхэм тыгъэхэр хуащIащ. Налшык паркым и оркестрымрэ КъБКъУ-м и «Амикс» ансамблымрэ гуфIэгъуэ зэхыхьэр ягъэбжьыфIащ. Гу зылъытапхъэ: Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъабэ былымылрэ джэдкъазылу тонн мин 85-рэ, гъэшу тонн мин 444-м щIигъу къыщалэжьащ. Мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьыным теухуа Къэрал программэм ипкъ иткIэ, 2015 гъэм ирихьэлIэу а бжыгъэхэр, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, тонн мини 101-м, тонн мин 470-м нагъэсыну я мурадщ. Хьэжыкъарэ Алик.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27595.txt" }
Нобэ Унагъуэм и дунейпсо махуэщ 1935 гъэм Москва и метром япэ мафIэгур ирикIуащ. 1942 гъэм 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ шу-уей дивизэр зауэм Iухьащ. 1945 гъэм Югославиер нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. Шэрджэс тхакIуэ Темыр Сэлихь къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъу. Драматург, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Акъсырэ Залымхъан къызэралъхурэ илъэс 94-рэ ирокъу. ТхакIуэ, драматург, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дудар Хьэутий къызэралъхурэ илъэс 92-рэ ирокъу. КъБР-м и цIыхубэ артист, режиссер ШэрыIужь Анатолий къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу. ТхакIуэ, журналист Къамбий Зуфар къызэралъхурэ илъэс 78-рэ ирокъу. Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-ми ЩIДАА-ми я академик, Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и тхьэмадэ Иуан Петр и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу. Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ДыщэкI Артур и ныбжьыр илъэс 51-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 21-рэ, жэщым градус 13 — 15 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27599.txt" }
Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм зыхуагъэхьэзыр Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ иригъэкIуэкIащ Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ. Абы къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ, хабзэ хъуауэ, накъыгъэм и 20 — 21-хэм властым и органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, республикэм щыпсэухэр зыхэт дауэдапщэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщрагъэкIуэкIыр. Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр Налшык къалэм, Щхьэхуитыныгъэм и хадэм, къыщызэрагъэпэщ. Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъым деж мы гъэми накъыгъэм и 20-м пасэрей адыгэ музыкэм и концерт сыхьэт 19-м щекIуэкIынущ, сыхьэт 20-м абдеж уэздыгъэу 101-рэ (Кавказ зауэр зэрекIуэкIа гузэвэгъуэ илъэси 101-м хуэдиз) щыщIагъэнэнущ. Накъыгъэм и 21-м адыгэ щIалэгъуалэр къалэм и уэрам нэхъыщхьэм — Лениным и уэрамым ирикIуэнурэ Щхьэхуитыныгъэм и хадэм деж щызэхуэсынущ. Абдеж щрагъэкIуэкIыну пэкIум кърихьэлIэнущ КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, Правительствэм хэтхэр, къалэхэмрэ районхэмрэ я щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, республикэм и жылагъуэ лIыкIуэхэр. Сыхьэт 12-м къызэхуэсахэр зауэм хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэнущ икIи удз гъэгъахэр фэеплъым деж щагъэтIылъынущ. Дауэдапщэхэр адэкIэ КъБР-м и Лъэпкъ музейм щекIуэкIынущ. Абы къыщызэIуахынущ ГъукIэпщокъуэ Щомыр пшахъуэм къыхищIыкIа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. «1763 — 1864» экспозицэр художникым триухуащ Кавказ зауэр къызэрыхъейрэ илъэс 250-рэ зэрырикъум. Портэ Галинэ къыхигъэщхьэхукIащ фэеплъ дауэдапщэхэр мы гъэм республикэм накъыгъэр иухыху зэрыщекIуэкIынур. Абы хиубыдэу школхэм фэеплъ дерс хэхахэр къыщызэрагъэпэщынущ, зэIущIэхэр, тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ, апхуэдэу КъБР-м, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я адыгэ газетхэм я номер зэхэт къыдагъэкIынущ. Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъыр гъэлъэпIэным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIынухэм я планым зэпкърыхауэ хэплъа иужь, вице-премьерым зэIущIэм хэта псоми гу лъаригъэтащ мы лэжьыгъэм хабзэхъумэ органхэр жыджэру къыхыхьэн икIи шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщын зэрыхуейм. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27601.txt" }
Къанокъуэ Арсен щIыналъэхэм я унафэщI нэхъ лъэщхэм ящыщу къалъытэ Япэхэми хуэдэу, Къанокъуэ Арсен УФ-м и щIыналъэхэм я унафэщI нэхъ лъэщхэм ящыщу иджыри зэрыщытым щыхьэт тохъуэ УФ-м и субъектхэм я унафэщIхэм мэлыжьыхь мазэм я рейтингым теухуауэ «Независимая газета» газетым къытридза бжыгъэхэр. Абы япэ ита мазэми экспертхэм къыхагъэщауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр нэхъ зэфIэкIышхуэ зиIэхэм зэрыхабжэр. Рейтингыр зэхалъхьэ Урысейм и губернаторхэм я зэфIэкIым теухуауэ экспертхэм зэрахэупщIыхьам кърикIуэхэм тету. Мэлыжьыхь мазэм рейтингыр убзыхуным хэтащ политологыу, политтехнологыу, медиаэксперту, журналисту 10. Абыхэм ящыщт Жарихин Владимир (СНГ-м хэт къэралхэмкIэ институт), Иванов Виталий (политикэмрэ къэрал правэмкIэ институт), Коваленкэ Артем («Эксперт-Урал» журнал), Калачев Константин (политикэ эксперт гуп), Колеров Модест (УФ-м япэ класс зиIэ и действительнэ къэрал чэнджэщэгъу), Львов Степан (ВЦИОМ), Михеев Сергей (Урысейм политикэ IуэхухэмкIэ и центр), Орлов Дмитрий (политикэ, экономикэ коммуникацэхэмкIэ агентствэ), Туровский Ростислав (щIыналъэ хъыбарыщIэхэмкIэ агент- ствэ), Хомяков Валерий (лъэпкъ стратегиемкIэ совет). КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27603.txt" }
ЕтIуанэ къыдэкIыгъуэм «Iуащхьэмахуэ» журналым мы гъэм и етIуанэ номерыр къыдэкIащ. Ар къызэIуех Гъэунэ Борис и «Зэш-зэхуефэ» повестымкIэ. Абы кIэлъыкIуэу итщ Мэзыхьэ Борис и рассказхэр: «Лъагъуныгъэм и Iэлыфбей», «ПIастэ хуабэ», «Джэду фызышэ». «Журналистым и гукъэкIыжхэр» Iыхьэм хэту традзащ Къумыкъу Хьэутий итхыжа «Къалмыкъ БетIал и хъурыфэ пыIэр» тхыгъэр. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Шэрджэс Алий «Къанокъуэхэ я хъыбар» и тхыгъэмкIэ къытхуеIуатэ илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Къанокъуей къуажэм теухуауэ нэхъыжьхэм къыжраIэжауэ щыта хъыбарыр. Iэщыж Борис итха «Iэдэмрэ Хьэуарэ», «Мартэ», «Сыадыгэщ» рассказхэри къеджэхэм ягу зэрырихьынум шэч хэлъкъым. ГъукIэ Маринэ «Дохутыр делэм и щхьэгъусэ» зыфIища рассказыр ухуэкIэ щIэщыгъуэ иIэу зэхэлъхьащ. АдэкIэ фыкъыщеджэнщ Зэгъэщтокъуэ Людэ лъэпкъ зэрыукIым, зэзауэм къашэ насыпыншагъэхэм триухуэу, мамыру зэдэпсэуным къыхуриджэу итха уситIым. Апхуэдэуи мы къыдэкIыгъуэм итщ Багъэтыр Нинэ, Гугъуэт Заремэ сымэ я усэхэр. Адыгэ тхакIуэ, кинорежиссер, композитор Къандур Мухьэдин и ныбжьыр мы гъэм илъэс 75-рэ мэхъу. 1938 гъэм Амман (Иордание) къыщалъхуа адыгэ щIалэр Америкэм щеджащ, щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ. Къандурым и тхыгъэхэр инджылызыбзэкIи, хьэрыпыбзэкIи, урысыбзэкIи, адыгэбзэкIи къыдэкIащ. Абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэщ тхылъищу зэхэт, Урыс-Кавказ зауэм и тхыдэр, а зауэм адыгэхэм къахуихьа мыгъуагъэмрэ насыпыншагъэмрэ зи лъабжьэ «Кавказ» романыр. Мы романым къыщыIэта Iуэхугъуэ дыдэхэрщ лъабжьэ хуэхъуар «Балкан тхыдэ» романми. ЦIэрыIуэхэщ Къандурым и кинофильмхэу «Адыгэш», «Шыхэмрэ лъэпкъхэмрэ» жыхуиIэхэри. Мы къыдэкIыгъуэм итщ «Кавказ» романым щыщ Iыхьэ, Къэрмокъуэ Хьэмид зэридзэкIауэ. Зи ныбжьыр илъэс 70 ирикъуа, ди усакIуэ пажэхэм ящыщ, журналист, щIэныгъэлI Тхьэзэплъ Хьэсэн хуумыгъэфэщэным хуэдизу жыджэру къалэн зыбжанэ зэдрехьэкI. Ар илъэс зыбжанэ хъуауэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и щIэныгъэлI-секретарщ, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и унафэщIщ. «Iуащхьэмахуэм» тридзащ Тхьэзэплъым и усэ гуп. И усэхэр къытрадзэн зэрыщIадзэу, Къэрэшей-Шэрджэсым и мызакъуэу, адыгэ псом я дежи цIэрыIуэ щыхъуа, КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин псэужамэ, илъэс 65-рэ ирикъунут. «УсакIуэ псэ къабзэ, усакIуэ лъэужьыфIэ» тхыгъэм Бемырзэм и гъащIэмрэ творчествэмрэ щытопсэлъыхь филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий. Апхуэдэуи журналым тридзащ Бемырзэм и усэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ зыбжанэ. Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ ирикъунущ етIанэгъэ. Абы теухуауэ журналым номер зэкIэлъыкIуэхэм тхыгъэ зыбжанэ тридзащ. Мы къыдэкIыгъуэми итщ апхуэдэ тхыгъэхэр. Псалъэм папщIэ, Къэрмокъуэ Хьэмид «Мелуаным щIигъурт» зыфIища тхыгъэм щытопсэлъыхь а зауэ мыгъуэм и пэкIэ адыгэхэм я бжыгъэр зэрыхъуу щытам, абы лъэпкъыр зэригъэжэщIам. А зауэм лIыхъужьу хэтахэм ятеухуащ «ШырыхъукIуэ Дыгъужь», «Мыхьэмэт Iэшэ» тхыгъэхэр. Илъэси 150-рэ ирокъу хэхэс адыгэхэм япэ адыгэ хасэр зэрызэрагъэпэщрэ. Аращ зытепсэлъыхьыр Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и лэжьакIуэ, теолог Хъуажь Фахъри и IэдакъэщIэкI «Иджыри я гугъэр хахыжатэкъым» тхыгъэр. «Культурэм и лъахэм» Iыхьэм традза «Иджырей къэбэрдей джэгуакIуэ» тхыгъэр теухуащ адыгэ джэгуакIуэ цIэрыIуэу щыта Сыжажэ Къылъшыкъуэ къызэралъхурэ илъэси 150-рэ зэрырикъум. Профессор, филологие щIэныгъэхэм я доктор ХьэкIуащэ Андрей а тхыгъэм зыубгъуауэ щызэпкърихащ Сыжажэм иусауэ ди деж къэсахэр. «Хъуэжэ и куэбжэ» Iыхьэм тетщ Тэтрокъуэ Астемыр итха «КIуэи тхьэусыхэ», «Аракъэ щIалэгъуалэр щыкIащ жыхуаIэр?» рассказ цIыкIухэр. Апхуэдэуи мыбы фыкъыщеджэнщ Джатокъуэ Юрэ и усэ кIэщIхэм ящыщ гуп. АБЗУАН Пщымахуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27608.txt" }
Зи тхыдэр зымыщIэм нобэми уасэ хуищIынукъым Аруан районым хыхьэ Псыкуэд къуажэм и курыт еджапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Адыгэ тхыдэм и лъэхъэнэ нэхъыщхьэхэр» зыфIаща зэIущIэ купщIафIэ. Ар къызэрагъэпэщащ куейм тхыдэмрэ естествознаниемкIэ и егъэ-джакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Гуэлыкъуэ Анжелэ и жэрдэмкIэ. Абы хэтащ районым и курыт школи 10-м я еджакIуэхэр. Зэхыхьэм кърихьэлIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и лIыкIуэ Хъуажь Фахъри, Къэбэрдей-Балъ-къэр къэрал университетым ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ и Адыгэ щэнхабзэ центрым и унафэщI Езауэ Мадинэ, Аруан район администрацэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Безыр Марианнэ, куейм и ОВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и инспектор Черновэ Аленэ, Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъу Къардэн Самир и унагъуэр, Псыкуэд къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Куэшей Олег, хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм я щIэблэу КъБКъУ-м щеджэ студентхэр. ФIэхъус псалъэкIэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ Аруан район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ ХьэщIэлI Зое. — Нобэрей зэIущIэр хуэгъэпсащ адыгэ лъэпкъым и тхыдэ къулейм, — жиIащ абы. — Дриплъэжынущ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм, дыкъытеувыIэнущ тхыдэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм, ди щэнхабзэр лIэщIыгъуэкIэрэ тхуэзыхъума ди адэжьхэр дигу къэдгъэкIыжкIэрэ абыхэм я фэеплъыр дгъэлъэпIэнущ. Мыпхуэдэ Iуэхухэм мыхьэнэшхуэ яIэщ щIэблэм лъэпкъым и тхыдэр ящIэу къэтэджынымкIэ, я хабзэр яIыгъыжу къэкIуэнум хэбэкъуэнымкIэ. АдэкIэ еджакIуэхэм утыкур хуит щыхуащIым, абыхэм къызэхуэсахэр лъэхъэнэ жыжьэм хашэжащ. Лъэпкъым и къуэпсхэм я къежьапIэм унэсын папщIэ илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжын зэрыхуейр, адыгэхэр мы щIыналъэм щыпсэухэм я нэхъыжь дыдэхэм зэращыщыр къыхагъэщри, ахэр нэхъ зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ ар къызытехъукIыжауэ ялъытэ хьэтхэм, зихкIэ, касогкIэ къеджэу къакIуа лъэхъэнэм. Ахэр фIы дыдэу щыгъуазэт Хьэтхэм я къэралыгъуэм и къежьапIэм, абыхэм къадекIуэкIа хабзэхэм, я псэукIэр зыхуэдам, фIыуэ яцIыхурт щыпсэуа щIыналъэр. Апхуэдэу ахэр тепсэлъыхьащ къэралыгъуэм и дамыгъэр — щхьитI зыфIэт бгъэр — къызэрыунэхуам, абы и мыхьэнэм, лъэхъэнэ жыжьэхэм къызэпхраха а нагъыщэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гербым и лъабжьэу зэрыщытым. Синдхэмрэ мэуэтхэмрэ адыгэхэр къызытехъукIыжа лъэпкъ жыгым и къудамэу зэрыщытар, абы и тхыдэм IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» пьесэм узэрыхишэжыр къыхагъэщри, еджакIуэр гъэхуауэ къеджащ Тыргъэтауэ и монологым. НыбжьыщIэхэр тепсэлъыхьащ адыгэ щIыналъэм и дахагъэм, беягъэм, абы щIыпIэшхуэ иIыгъыу къызэрыгъуэгурыкIуам, ди Хэкур куэдым я хъуэпсапIэу зэрыщытам, ар зыIэрагъэхьэн мурадкIэ щIэх-щIэхыурэ нэгъуэщI къэралхэм я дзэхэр къизэрыгуэурэ лъэпкъыр зыхагъэта бэлыхьхэм. АрщхьэкIэ зэкъуэту я щхьэхуитыныгъэм щIэбэн лъэпкъ уардэр игъэкIуэтыгъуафIэтэкъым. «Дэ къурш екIуэкIыр ди тхыцIэщ, джабэхэр ди дзажэщ, къупщхьэрэ лыкIэ дызэпыщIауэ дызыIэпкълъэпкъщ» — а псалъэхэр жаIэурэ адыгэ ныпыр зыIыгъ щIалэхэр утыку къихьащ, апхуэдэ щIыкIэкIи лIакъуэ 12-у зэхэт лъэпкъыр зэкъуэчыгъуафIэ зэрымыхъунур къагъэлъагъуэу. — «Сыадыгэщ!» — жыпIэр зым ищIыскъым — Хуейщ Адыгэу укъыщIэкIыжын. Ди адыгэм хэлъа хабзэ дахэм И тхьэгъушыр жыжьэ щыбгъэIун, — еджакIуэр къызэджа а сатыриплIым и мыхьэнэр нэсу зэрызыхащIэм и щыхьэтт адэкIэ утыкум щагъэлъэгъуахэр. И щIыналъэр, и щхьэхуитыныгъэр ихъумэжын папщIэ гузэвэгъуэ куэд къызэринэкIами, хьэзаб куэд телъами, лъэпкъым и цIэр фIыкIэ жыжьэ зыгъэIуа и хабзэ дахэр зэрихъумэжыфар къыхагъэщри, хьэл-щэн дахэм, нэмысым теухуауэ адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуэ псалъэ Iущхэр кърабжэкIащ. Удихьэхыу, щIэщыгъуэу ягъэлъэгъуащ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и Iыхьэхэм ящыщу унэишэр, щIэпщакIуэ ящIащ, Iэнэм щызекIуэ хабзэхэми цIыкIухэр зэрыщыгъуазэр къагъэлъэгъуащ. Мыбдежым ныбжьыщIэхэм теплъэгъуэу утыку кърахьащ щхьэ щIэлъэныкъуэр нэхъыжь Iыхьэ зэрыхъуам теухуа хъыбарыр. «Зи нэхъыжь зымыгъэлъапIэр щхьэ лъапIэгъуэ ихуэркъым» псалъэжьым и мыхьэнэр нэсу къазэрыгурыIуэр наIуэ ящIащ Аруан куейм и ныбжьыщIэхэм. Хабзэжь псори щымыIэжми, я нэмысыр яIыгъыжкIэрэ, нэхъыжьыр гъэлъэпIэнымрэ нэхъыщIэр гъэбжьыфIэнымрэ яхэлъыхукIэ адыгэм и пщIэр лъагэу псэунущ. Апхуэдэ гупсысэхэрт узыхуишэр «Адэм и щIэин» хъыбарым ныбжьыщIэхэм къытращIыкIа теплъэгъуэм. Езы цIыкIухэми а хъыбарым и купщIэр нэсу зэрызыхащIам и щыхьэтт щхьэж и ролыр дагъуэншэу къызэрехъулIар. НыбжьыщIэхэр фIы дыдэу щыгъуазэт адыгэхэмрэ урысхэмрэ я зэпыщIэныгъэ, зэныбжьэгъугъэ быдэм и къежьапIэми. Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ урыс пащтыхьым щхьэгъусэу зэрыритар адыгэ пщышхуэм лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэм хуищIа тыхьу зэрыщытар жаIащ еджакIуэхэм. Мыбдежым абыхэм «къыдахьэлIащ» абы щыгъуэм Темрыкъуи Гуащэни зыхэхуа гупсысэшхуэр икIи иджыри зэ хьэкъ тщащIащ а Iуэхум IэмалыншагъэкIэ еувэлIэн хуей ахэр зэрыхъуар. — «Зауэм и кIэр хьэдагъэщ», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм ди цIыхухэр зыхэта бэлыхьыр нобэми лъэпкъым егъэв. ТхьэмыщкIагъэрэ насыпыншагъэшхуэу абы лъэпкъым къыхуихьар къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Дуней псом пщIэшхуэ щызиIэу къекIуэкIа лъэпкъыр щыхупIэм хуишат абы. Илъэс мин бжыгъэкIэрэ зэрыса и Хэкужьыр ибгынэну къыпаубыдащ ди лъэпкъ уардэм, — жиIащ еджакIуэм, адыгэм и тхыдэм нэхъ лъэхъэнэ хьэлъэу хэт илъэсхэм дригъэплъэжу. «ИстамбылакIуэ» адыгэ уэрэдыжьыр щыжаIэми, Акъсырэ Залымхъан и «ИстамбылакIуэ» пьесэм щыщ пычыгъуэ щагъэлъагъуэми, гурыIуэгъуэ пщыхъурт ныбжьыщIэхэм зи гугъу ящIыр езыхэми нэсу зэрызыхащIэр. АдэкIэ ахэр тепсэлъыхьащ дуней псом щикъухьа хъуа лъэпкъым, дауэ мыхъуами, и гуащIэр, и зэфIэкIыр зэрыфIамыгъэкIуэдыфам, ахэр дэнэ къэрал щымыпсэуами, зыхэсхэм я щэнхабзэм, литературэм, гъуазджэм, политикэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIу, апхуэдэ щIыкIэкIи къызыхэкIам и цIэр фIыкIэ ягъэIуу зэрыпсэум. ЕджакIуэхэм къыхагъэщащ иужьрей зэманым хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм адэжь щIыналъэм къыхуаIэ пыщIэныгъэхэр нэхъ куу зэрыхъур, зи къуэпсхэм мыбдеж зыщезыгъэуб-гъужхэми кIуэ пэтми къазэрыхэхъуэр. — Куущ икIи къуэпсыбэщ ди тхыдэр. Лъэпкъыр сыт хуэдэ щытыкIэ ирамыгъэувами, и щхьэр щигъэщхъа зэман къэхъуакъым. Ар сытым дежи щапхъэу къэгъуэрыкIуащ. Абы и щыхьэтщ лъэпкъым и лIыгъэм, и хабзэ дахэхэм теухуауэ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм къащIэна тхыгъэхэр, — ныбжьыщIэм жиIа а псалъэхэм яужькIэ къэIуащ «ЕфIакIуэ, Адыгэ Хэку» уэрэдыр. А махуэм еджакIуэхэр къеджащ ди тхакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэу адыгэ хэкум, адыгэбзэм, адыгэ хабзэм, адыгэ бзылъхугъэм, адыгэ фащэм, адыгэ къафэм теухуа усэхэм, уэрэдхэр жаIащ, лъэпкъым къыдекIуэкI къафэ зэхуэмыдэхэр ягъэзэщIащ. — Нобэ ныбжьыщIэхэм лъэпкъым и тхыдэр ди нэгум къыщIагъэувэжащ, — жиIащ Хъуажь Фахъри. — Апхуэдэу куууэ я лъэпкъым и блэкIар зыхащIэу ахэр къэхъумэ, щIэблэмкIэ диIэ гугъэфIхэр зэщIа зэрыхъунум шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым. Пэжыр жыпIэмэ, дуней псом щызэбгрыдза адыгэ лъэпкъыр зэшэлIэжыныр, ахэр зы гъуэгу тегъэувэжыныр Iуэху тыншкъым. ЩIы хъурейм щызэбгрыдзауэ псэу адыгэр къыздэплъэр ХэкужьымкIэщ, я анэдэлъхубзэри я хабзэри щызекIуэ щIыналъэр я псэм щагъафIэ, гугъапIэу яIэр фэращи, ахэр къызэрыфщыгугъым хуэдэу факъыхущIэкIыну сыныволъэIу. Iуэхушхуэ утыку кърахьащ мы зэхыхьэр зыгъэхьэзырахэм, сохъуэхъу абыхэм кърахьэжьэ Iуэху псори къайхъулIэну. Адрей жылэхэми мыбыхэм щапхъэ трахыу мыпхуэдэ пшыхьхэр зэхашамэ, ар лъэпкъым дежкIэ щхьэпагъышхуэт. Сэ мазихым щIигъуауэ аращ Тыркум сыкъикIыжу Хэкужьым сыкъэзэрыкIуэжрэ. А зэманым къриубыдэу щIэнIуатэ (конференц) зыбжанэ сыхэтащи, адыгэбзэ къабзэкIэ екIуэкIа зэIущIэ нобэ япэу срихьэлIауэ аращ. Ар сэ икъукIэ гуапэ сщыхъуащ. Тхьэм нэхъри фригъэфIакIуэ, лъэпкъым ифI зыхэлъ Iуэху дахэхэр къызэрызэвгъэпэщын зэхэщIыкIрэ къарурэ фыщимыгъащIэкIэ. — ЦIыхум и гъащIэр къыщежьэр унагъуэращ, — жиIащ Езауэ Мадинэ. — Абдеж сабийм щызыхилъхьа хьэлыр езыгъэфIакIуэр, и зэхэщIыкIым нэхъри хэзыгъахъуэр абы унагъуэ етIуанэ хуэхъу курыт школырщ. Нобэ мы еджапIэм щекIуэкIа пшыхьым мыхьэнэшхуэ иIэщ ныбжьыщIэхэм я къэухьым зиужьынымкIэ, апхуэдэу дыдэуи гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIи щхьэпэщ. Сэ сызэреплъымкIэ, мыпхуэдэ пшыхьхэр нэхъ утыку ин къихьэн хуейщ, абы къыхэкIыуи зэгъусэу девгъэлэжь лъэпкъым ифI зыхэлъ Iуэхухэр ипэкIэ гъэкIуэта хъуным. Ялъагъур ягу зэрырихьар жаIэу, адэжь щIыналъэм къинахэм лъэпкъым и хабзэ дахэмрэ и анэдэлъхубзэмрэ зэрахъумамкIэ фIыщIэ хуащIу, адыгэхэм я щыгъуэ махуэм гуфIэгъуэ Iуэхухэм хухэхахэр ебэкIыу щытыну хъуахъуэу зэIущIэм къыщыпсэлъахэщ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэхэм ящыщу КъБКъУ-м щеджэхэу Жамбэч Захьир (Иордание), Еутых Аднан, Боз Нихьмэт, Жамбэч Ахьмэд, Щоджэн Имрах (Тырку), Нэбас Нартан (Сирие) сымэ. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27612.txt" }
КIасэIуэущ зыкъыщащIэжар «Химки» (Мэзкуу область) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 2:1 (1:0). Химки. «Родина» стадион. Накъыкъэм и 14-м. ЦIыху 600 еплъащ. Судьяхэр: Галимов (Улан-Удэ), Касьянков (Кировск), Дуденков (Петрозаводск). «Химки»: Будаков, Хатаженков, Кподо, Рогочий, Ромащенкэ (Комисов, 90), Скобляков (Филатов, 69), Бреев, Дебле, Комков, Соболев (Даниловский, 80), Алексанян (Песегов, 84). «Спартак-Налшык»: Коченков, Багаев, Овсиенкэ, Джудович (Суслов, 46), Засеев, Концедалов, Чеботару (Руа, 77), Коронов, Медведев, Гуэщокъуэ (Буйтрагэ, 58), Аверьянов (Сирадзе, 66). Топхэр дагъэкIащ: Дебле, 7 (1:0). Дебле, 82 (2:0). Короновым, 89 (2:1). Дагъуэ хуащIащ: Рогочий, Овсиенкэ, Концедаловым, Будаковым. ФIы псори зэгуэр еух. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэжрэ зыри къызыпэмылъэща «Спартак-Налшыкыр» вэсэмахуэ Химки къалэм къы-щыхагъэщIащ. Абы и пэкIэ ирагъэкIуэкIа джэгугъуибгъум ящыщу 5-м ди щIалэхэр щынэхъыфIат, адрей 4-м щызэрытегъэкIуатэкъым. А псоми налшыкдэсхэм Iэмал хъарзынэ къыхузэрагъэпэщащ икIи, шэч щIагъуэ къытрамыхьэу, премьер-лигэм щIэбэнынухэм хагъэхьащ. Абы щыгъуэми накъыгъэм и 14-м и хьэрхуэрэгъуу щыта «Химки»-м къэнэжа зэIущIэхэм зы очкои щигъэкIуэд хъунутэкъым, етIанэгъэ етIуанэ дивизионым къыщыхутэну хуэмеймэ. Химки къалэм и «Родина» стадионыр хъупIэ фIэкIа зэрыпщIэн щыIэтэкъым. Абы къэралпсо мыхьэнэ зиIэ зэхьэзэхуэ щебгъэкIуэкIынри къемызэгъщ — адэ-мыдэкIэ кумблъэмбщ, удз зытемытыххэ щIыпIэхэри губгъуэм щыкуэдщ. Апхуэдэ щытыкIэм «Спартак-Налшыкыр» зыкъомрэ есакъым икIи а зэманым къриубыдэу хэгъэрейхэр зытригъэгушхуащ. Джэгум и ебланэ дакъикъэм къэхъуам налшыкдэсхэм я лъэр щIигъэхуащ. «Химки»-м и гъуащхьауэ Дебле Серж, Джудович Миодраг къылъэщIэмыхьэу ижьрабгъумкIэ кIуэцIрыжащ икIи и къару къызэрихькIэ ди гъуэм къеуащ. КъикIуэт защIэурэ абы зыхуэзыгъэхьэзыра Коченковым топыр къиубыда хуэдэт, арщхьэкIэ IэщIэкIыжри, гъуэм дыхьащ. Апхуэдэ щIэдзэкIэм зыкIи хуэмыхьэзыра «Спартак-Налшыкым» и къарухэр зэщIигъэуIуэжыну хущIэкъуащ. Ауэ ди гъуащхьэхъумэхэр щIэх-щIэхыурэ «зэрыкIуэцIрыхум» ебгъэрыкIуэну Iэмал къаритыртэкъым. Псом хуэмыдэу уагъэпIейтейрт куэдкIэ дызыщыгугъыу зыкъом щIауэ мы зэIущIэм япэу къыхыхьэжа Джудовичрэ Овсиенкэрэ. Ахэр пэлъэщыххэртэкъым езыхэм я дамэм къэмыс хэгъэрейхэм я гъуащхьауэ Дебле икIи мызэ-мытIэу зыIэщIагъэкIырт. Топыр ди штангэм щытехуаи къэхъуащ. Налшыкдэсхэм зыкъыщащIэжар джэгум и кIэухырщ. 82-нэ дакъикъэм Сирадзе Давид «Химки»-м и штрафнойм щраудащ икIи пенальти игъэувыну судьям ахэр еныкъуэкъухукIэ Дебле кIуэцIрыжри, бжыгъэр 2:0 ищIащ. Абы и ужькIэщ «Спартак-Налшыкым» зыкъыщызэкъуихар. Япэ щIыкIэ Короновым зы топ дигъэкIащ, къыкIэлъыкIуэу Медведевым ар игъэбэгъуащ. АрщхьэкIэ ди гъуащхьауэ нэхъыфIыр IэкIэ топым еIусауэ судьям къилъытэри, етIуанэр хибжакъым. Арати, 1:2-уэ налшыкдэсхэм джэгур фIахьэхуащ. Иджы «Спартак-Налшыкым» и Iуэхур къанэ щIагъуэ щымыIэу накъыгъэм и 19-м зэхэкIынущ. Абы къригъэблэгъэнущ премьер-лигэм щIэбэнынымкIэ гъунэгъу дыдэ къыхуэхъуа Калинин-град и «Балтика»-р. АдэкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ япэ дивизионым хэт адрей командэхэм блыщхьэмрэ гъубжымрэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Ротор» (Волгоград) — «Салют» (Белгород) — 0:1, «Томь» (Томск) — «Волгарь» (Астрахань) — 1:0, «Сибирь» (Новосибирск) — «Торпедо» (Мэзкуу) — 1:1, «Уфа» (Уфа) — «Металлург-Кузбасс» (Новокузнецк) — 2:0, «Балтика» (Калининград) — «СКА-Энергия» (Хабаровск) — 1:1, «Нефтехимик» (Нижнекамск) — «Урал» (Свердлов область) — 2:2, «Шинник» (Ярославль) — «Петротрест» (Санкт-Петербург) — 1:0. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27618.txt" }
ЛIыхъужьым и фэеплъу Лэскэн муниципальнэ куейм хыхьэ Ерокъуэ къуажэм щекIуэкIащ мотокроссымкIэ республикэ чемпионат зэIуха. Ар ирагъэхьэлIат ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 68-рэ щрикъум. Спортсменхэр щIэбэнащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Мэсей Аслъэнджэрий и фэеплъу ягъэува саугъэтым. Зэпеуэр яублэн и пэ, Мэсей Аслъэнджэрий и фэеплъым деж чемпионатыр Iэтауэ къыщызэIуахащ. Абы кърихьэлIащ район администрацэм и унафэщI Кебеков Валерэ, Урысей ДОСААФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ-Алание щIыналъэ къудамэхэм я унафэщIхэу Iэщын Юрэ, Бедоев Руслан, КъБР-м и спортым и ветеранхэм я советым и унафэщI Къуэдзокъуэ Анатолэ, Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я район советым и тхьэмадэ Табыхъу Борис, къуажэм и нэхъыжьхэр, школхэм я егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ. Кебеков Валерэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Мэсей Аслъэнджэрий куейри, республикэри, къэрал псори зэрыгушхуэ цIыхухэм зэращыщыр. Хэкупсэ нэсу, лъахэм и хъумакIуэ къэмылэнджэжу щыта Аслъэнджэрий ТекIуэныгъэм и махуэ лъапIэр къэблэгъэным махуэ 78-рэ иIэжу дунейм ехыжащ. Абы и цIэр Налшыкрэ Нарткъалэрэ я уэрамхэм, езыр къызыдэкIа къуажэм и школым фIащащ. — Дэ адэкIи а лIыхъужьым и щIыхьыр тхъумэнущ, — жиIащ Кебековым, — хабзэ тхуэхъуа мы чемпионатыр зэхэдублэхукIи, ди лъахэгъум лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэу хэлъахэр дигу къэдгъэкIыжынущ. Дэри къытщIэхъуэ щIэблэми Хэкур фIыуэ лъагъуным и щапхъэ тхуэхъунущ ар. ЛIыхъужьым и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьа нэужь, чемпионатыр къызэIуахащ. Ныпыр яIэтыну лъагъэсащ зэхьэзэхуэм хэта нэхъыщIэ дыдэхэм. КъБР-м и спортсменхэм нэмыщI, зэпеуэм кърихьэлIащ Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэм, Ставрополь крайм я лIыкIуэхэри. Зэхьэзэхуэр удэзыхьэхыу, нэгузыужьу екIуэкIащ. Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр трассэм къыщызыгъэсэбэп спортсменхэр нэхъри ягъэгушхуэрт гуфIэгъуэм зэщIиIэтауэ абы кIэлъыплъхэм я Iэгуауэм. Мыбдеж щыплъагъурт текIуэныгъэм щIэбэнхэм я ерыщагъ телъыджэр. ЕхъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа спортсменхэм медалхэр, щIыхь тхылъхэр, ахъшэ саугъэтхэр иратащ. ГуIэтыж Залинэ, Лэскэн муниципальнэ куейм и щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27620.txt" }
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ Накъыгъэм и 9-м Налшык ипподромым ТекIуэныгъэм и махуэм хухаха шыгъажэ щекIуэкIащ. Абы и саугъэт фондыр сом мин 900-м нэблагъэрт. Зэхьэзэхуэм хэтащ инджылыз шы лъэпкъ къабзэхэр. Шыхэр зэдэжэу блым хэтащ. ТекIуэныгъэм и махуэм хухаха саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэнахэм къатежащ Малкэ шы заводым и Хай-Фат пцIэгъуэплъыр. Дзэ щIыхьым и къалэ Налшык и саугъэтри зылъысар япэу гъуэгуанэр къэзыжа, а шы заводым и Лашын шырщ. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я саугъэтыр къэхьыным щызэпеуахэм я деж бжьыпэр щиубыдащ унагъуэш Голден Горн пцIэгъуэплъым. КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27622.txt" }
Уэ хуитыныгъэ лъэпкъ уиIэкъым адэкIи умыдэхэну! КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэмыку Жаннэ къыщалъхуа махуэр егъэлъапIэ Хьэмыку Жаннэ: Насыпщ зы псалъэ гуапэри дыгъэпс махуэри ЕхъулIэныгъэ иIэу зи IэнатIэм бгъэдэт цIыхум папщIэ «Зи IэщIагъэм къыхуигъэщIа» жаIэ. Ар пщалъэ лъагэщ, цIыхум и Iэужьыр фIы и лъэныкъуэкIэ къралъытэу. Абы щыгъуэми уи лэжьыгъэмкIэ цIыхум гухэхъуэ ептмэ, анэдэлъхубзэр, лъэпкъ гъуазджэр пхъумэмэ, уи утыку итыкIэ екIум театреплъыр хьэщыкъ ищIмэ — тIэунейуэ гухэхъуэкъэ?! Апхуэдэхэм ящыщщ илъэс куэд хъуауэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрыр зыгъэбжьыфIэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэмыку Жаннэ. Абы и ныбжьыр накъыгъэм и япэ махуэхэм илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъуар къэдгъэсэбэпри зыхуэдгъэзащ. И роль гукъинэжхэмкIэ куэдрэ дигъэгуфIэну, ехъулIэныгъэ мыкIуэщI иIэну дохъуэхъу Жаннэ, ди гуапэуи и гупсысэхэм фыщыдогъэгъуазэ. Хьэмыку Жаннэ. 1998 гъэ — Театрым уи дежкIэ иIэ мыхьэнэм, лъэпкъым хуэгъэзауэ зищIысу къэплъытэм утезгъэпсэлъыхьынут, Жаннэ. — Сэ сыхуейт ди театрыр адыгэ лъэпкъым иджыпсту нэхърэ нэхъыфIу илъагъуну. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, театрым иIэн хуей гулъытэм, пщIэм хуэдиз игъуэтыркъым. Ар къызыхэкIыр ди IуэхущIапIэр мыхьэнэншэу, и къалэным щIагъуэу пэмылъэщу аракъым, атIэ упсэуну гугъу зэрыхъуам къыхэкIыу цIыхухэм япэ ирагъэщыр, зытелажьэр зэрынэгъуэщIырщ. Театрыр щызэфIэувэм щыIа хущытыкIэмрэ иджыпстуреймрэ зэбгъапщэ хъуххэнукъым. Иджыри сыщIалэ дыдэу Москва дыкъыщикIыжам къызгурыIуат игъащIэкIэ театрым къулей сызэрыщымыхъунур. Къуажэ-къуажэкIэрэ ди республикэр къызэхэткIухьырт спектаклхэр щыдгъэлъагъуэуи, автобусым и пэмкIэ ис ТIыхъужь Алий, ДыщэкI КIунэ, Къаздэхъу СулътIан сымэ, адрей нэхъыжьхэми сакIэлъыплъырти сегупсысырт: «Ярэби, мыбыхэм яIэ ехъулIэныгъэм хуэди дымыгъуэтынкIэ хъунущ дэ. Мыхэр цIыхубэм фIыуэ илъэгъуащ, ди щIыналъэми нэгъуэщI щIыпIэхэми цIэрыIуэ щыхъуащ. Дэ дызыхэпсэукIын, дызыхэлэжьыхьын хуей гъащIэм щIэщыгъуэ куэд къыщожьэри, а псори лъэныкъуэ едгъэзу цIыхум я псэр къытхуэхьэхуну пIэрэ?» ГъэщIэгъуэныщэт нэхъыжьхэм я лэжьэкIэр. Къуажэ клуб щIыIэхэм дыкIуарэ тумэнитIрэ сомитхурэ и уасэ билет ящэхуамэ, цIыхуитху фIэкIа пшыхьым къримыхьэлIами, спектаклыр утыку къитхьэн хуейуэ. Илъэс бжыгъэкIэ ямыгъэплъа пэшхэм дыщыджэгурэ сыкъыздэкIуэж общежитри щIыIэу… АтIэми нэхъыжьхэм а гугъуехьхэр кърамы-дзэми ярейт. Си жагъуэ мэхъу а зэманым щыIа клубхэм я щытыкIэм жылэ куэдым яйхэр иджыри зэрыфIэмыкIар. Пэжщ, зэкъуэтIакъуэми урохьэлIэ къэралым и дэIэпыкъуныгъэкIэ е щхьэзакъуэ мылъкум къыхэкIыу зыхуей хуагъэзауэ. Псалъэм папщIэ, сэ сыкъыщалъхуа Плановскэм и клубыр сыткIи къызэригъэпэщащ ди къуажэгъу, Налшык хьэлвэ заводым и унафэщI Къудалы Мухьэмэд. Ди гур хохъуэ абы дыщеблагъэкIэ, къабзэлъабзэщ, дахэщ, и лэжьакIуэхэр гуапэу къыпIуощIэ. Щэнхабзэм апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ хузиIэ цIыхухэр къуажэ къэс яIамэ, шэч хэмылъу, цIыхухэри хуэпабгъэнут а IуэхущIапIэм. Армыхъумэ уи телевизорри, уи видеори, компьютерри, икIэм-икIэжым шэнтиуэ щабэри зыщIэт унэр къагъанэу мыфэмыц клуб щIыIэм щIэкIуэнур сыт, а тыншыпIэ псом ебэкъуэн хуэдэу, сыт а артистхэм гъэщIэгъуэну кърагъэлъагъуфынур?! Токъуий Хъусенрэ Жаннэрэ. «Лъэмыж» спектаклыр. 1977 гъэ Куэдрэ сигу къокIыж зы Iуэхугъуэ. Дудар Хьэутий и «Нэчыхьытх» спектаклыр дгъэлъагъуэрт. Утыкум мыIэрысей гъэгъа итт, сэ дэкIуэну бзылъхугъэм и ролыр згъэзащIэрти, шылэ бостейрэ вакъэ пIащIэрэ сщыгъыу сценэм сыкъихьэн хуейт. Уаети, си гъусэ актерхэм яжызоIэ хуабэу сыхуэпауэ сыджэгумэ зэрынэхъыфIыр. Мазэ псокIэ махуэ къэс утыкум сыкъихьэн зэрыхуейр, сымаджэ сымыхъумэ зэрынэхъыфIыр тегъэщIапIэ сщIами, къикIаIатэкъым — Токъуий Хъусен къысхуидауэ щытакъым. Абыхэм апхуэдэ зэи ящIэнутэкъым, зэрыжаIэу, куцIыжьхэт, хуей хъумэ ялъэмыкIын щымыIэу. Къапщтэмэ, сценэр сымаджэ ущымыхъу щIыпIэщ, уеблэмэ угукъыдэмыжми, зэуэзэпсэу уохъуж. МыIэрысей гъэгъа утыкум итмэ, уи фIэщ мэхъу зэрыгъатхэр, зэрыхуабэр. БгъэзащIэ ролым узэрихьэм хуэдэ дыдэу, гъэм и зэманми уоувэ. — Ар артистми елъытагъэнщ? — Артистыр мыартистмэ, театрым къыщызэтеувыIэркъым. Институтыр къеух, актер IэщIагъэм и щэхухэр зрегъащIэ, IуэхущIапIэм къокIуэ, арщхьэкIэ щыгувэркъым. Артистыр артистмэ, къызыхуигъэщIар зы гугъуехь щхьэкIи IэщIыб хуэщIынукъым. Илъэс 24-рэ фIэкIа сымыхъуу Москва сыкъыщикIыжа лъэхъэнэм щыщIэдзауэ сэ зэпымыууэ къызгурыIуэрт ди республикэм и лъэкIыныгъэри театрым хузэфIэкIынури. Иджыри зэ къытызогъэзэжри, фIыуэ тлъагъу ди нэхъыжьыфIхэм сащеплъкIэ, къыспэщылъыр наIуэ хъууэ къэслъытэрт. Автобус щIыIэ, пэш ямыгъэплъ, улахуэ мащIэ, зыхуей ущыхуэмызэ жьыгъэ… ЖызоIэри, абы пэIэщIэ зысщIыну си гугъащ, арщхьэкIэ хъуакъым — театрыр си щхьэм илът, си псэм хэлъти, арыншауэ сыпсэуфа-къым. — Артист IэщIагъэр къызэрыхэпхам ущыхущIегъуэжа къэхъуа? — IэщIагъэр апхуэдизкIэ фIыуэ солъагъури, ар къызэрыхэсхам сыхущIегъуэжыну зэи сигу къэкIакъым. Абы ахъшэу къыпэкIуэмрэ гугъуехьу пылъымрэ я Iуэхур щхьэхуэщ, си лъым артистыгъэр хэмылъу щытамэ, мис а щхьэусыгъуэхэм щхьэкIэ куэд щIауэ нэгъуэщI Iуэху гуэрым зеста къыщIэкIынт. Зы интервью гуэрым къыщызэупщIауэ щытащ талантыр цIыхум бгъэдэлъу къалъхурэ ар пхузыхэлъхьэнрэ. Театреплъым илъагъур утыку кърахьа, и кIэм нагъэса лэжьыгъэрщ, аращ зыхуейри. Спектаклым мазэ бжыгъэкIэ, уеблэмэ илъэскIэ делэжьауэ, абы бэлыхь гуэр дэтшэчауэ ищIэркъым, ищIэни хуейкъым. Япэ махуэхэм щыщIэдзауэ режиссерыр зыхущIэкъум техуэ артистхэр щыIэщ, жаIэн хуей псалъэхэр яхузэмыгъащIэу псоми бэлыхь ятезылъхьэхэми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дахуозэ. Ар щIыжысIэращи, къэхъу щытыкIэм укъимыкIыфмэ, импровизировать жыхуаIэр пхуэмыщIмэ гугъущ, утыкум гъэпкIауэ укъинэнущ. А псом къыхэкIыу, талантыр къыбдалъхуауэ пхэлъмэ нэхъ тыншщ, еджапIэм къыщIэпхар къэбгъэсэбэпын нэхърэ. Крон и «Къэхутэныгъэ куу» спектаклым Фырэ Русланрэ Жаннэрэ щоджэгу. 1975 гъэ «Гуащэ ябгэ» спектаклым ДыщэкI КIунэрэ ЖьакIэмыхъу КIунэрэ зы зэман щыджэгурт. КIунэшхуэ гъунэгъу фызу къекIуэкIыу арат, куэди жимыIэу, арщхьэкIэ зэгуэрым утыкум къихьэри, псори щыгъупщэжауэ къыщIэкIащ. ЖьакIэмыхъум: «ЛIо, щхьэ зыри жумыIэрэ? — щIэупщIащ, къэхъуар къыгурыIуэри, — зыри жумыIэнумэ, зызумыгъэлъагъуу кIуэж», — жиIэри щIихужащ. Зигъазэри, КIунэшхуэу плъагъур сценэм ижыжащ, ЖьакIэмыхъум къыхуэнэрати, ар къыщIэкIуар театреплъхэм гуригъэIуэн хуей хъуащ. Мис а щытыкIэ зэхуэмыдэхэм укъызэрикIын талантыр цIыхум къыдалъхуу аращ. Куэдрэ сигу къокIыж иджыри зы хъыбар дыхьэшхэн. Щукиным и цIэр зезыхьэ еджапIэм щIэсхэм практикэ щаIэр Вахтанговым и цIэр зезыхьэ театррати, абы къыщыхъуауэ яIуэтэжа хъыбарщ зи гугъу пхуэсщIынур. Актер гуэр, ахъшэ къилэжьын хьисэпкIэ, щIыпIэ зыбжанэм щылажьэрти, театрхэр къызэхижыхь хъунт. Спектаклым и япэ актым «щаукIырт» ари, утыкум къызэрырахыжу зитIэщIыжырти щIэжыжырт, нэгъуэщI щIыпIэ кIуэну. Хузэгуэп и артистэгъухэр зэ зэгуроIуэ яукIа иужь сценэм ирамыхыжыну, апхуэдэуи ящI. Мор щылъщ, поплъэ, арщхьэкIэ и гугъу ящIыркъым. Сценэм гупышхуэ щит дакъикъэхэр къегъэсэбэпри, ямылъагъуу ипщыжыну яужь йохьэ. ЗыукIам къелъагъу ари: «А-а, уэ иджыри упсэууэ ара, мэ-тIэ», — жеIэри етIуанэу йоуэ. Абы и ужькIэ дэнэ укIуэнт?! Си дежкIэ гухэхъуэщ зыгуэрым и псалъэм сигу къигъэкIар сценарийм сыкъытекIыу жысIэ, е згъэлъагъуэ щыхъум и деж, абы актерыр щигъэуэнщ е режиссерыр къигъэгубжьынщ жысIэу сымышынэу. Тыншщ икIи гъэщIэгъуэнщ актерым дзыхь хуэзыщI, и мизансценэр къигъуэтыжыну хуит зыщI режиссерым удэлэжьэну. Апхуэдэу сыщылажьэм гухэхъуэгъуэ согъуэт, армыхъуамэ зы къупхъэ гуэрым ткIийуэ сыщрагъэувэм и деж хуабжьу гугъу сохь. Лейуэ сыбэуэну сыхуимыту сыщыщысым егъэлеяуэ сызоныкъуэкъуж. — Уи лэжьыгъэм гугъэзэгъэгъуэу къуитымрэ гуныкъуэгъуэу узыхидзэмрэ я гугъу къытхуэщIыт. — Театрым сигу щызэгъэн щхьэкIэ ролыфI сщIын хуейуэ аращ. КъакIуэу къызэплъыну сщIэмэ, пщIэншэуи сыджэгунущ. Ахъшэ сыхуэмыныкъуэу аракъым, атIэ сылэжьэныр, залым цIыхур щIэзу щIэсыныр си дежкIэ зэрынэхъыщхьэрщ. Студие щызэхуашэскIэ, геройрэ героинярэ къыхах — а амплуаитIыр зылъысыр сэрэ Фырэ Русланрэт. Социальнэ, трагедийнэ, комедийнэ лIыхъужьхэр, инженю, травести — псом щыщи диIэт, сыт хуэдэ спектаклри тхуэгъэувын щхьэкIэ. Аращ ди курсым диплом лэжьыгъэу спектакли 7 къыщIэтшэжыфауэ щытар. А лъэхъэнэм щыщIэдзауэ цIыхубз щIалэхэм, дахэхэм я ролыр згъэзащIэу сыкъэгъуэгурыкIуэми, характернэ образ сщIыну сыщIэхъуэпсырт. Калиновскэм ар щыжесIэкIэ: «Ар уэ пхуэщIынуи къыщIэкIынщ, ауэ уэ пщIыр хэт зэзбгъэтынур?» — жиIэрти идэртэкъым. ЩIалэгъуэр блэкIащ, героиняр лъэныкъуэ езу ныбжькIэ схуэкIуэ образ сщIыну сыхуейщ. Апхуэдэщ «Гулъытэншэ хъуахэр» спектаклым щызгъэзащIэ ролыр. А лэжьыгъэр апхуэдизкIэ сигу ирихьырти, сыхэмыту зэрекIуэкIа илъэситхуми ягъэлъэгъуэху сыкIуэурэ сеплъащ. Украинэм гастроль дыкIуэн хуейуэ, ЖьакIэмыхъу КIунэ ежьэ мыхъуу сэ сыхагъэхьауэ арат абы. Махуэ бжыгъэм тетрадитIым из хъу ролым «уихьэныр» гугъу дыдэт. Спектаклым хэтхэм хуабжьу гугъу зыкъыздрагъэхьащ, Къэжэр Борис, Щэрмэт Людэ, Мэшыкъуэ Феня сымэ мыхъуамэ, сщIэртэкъым сызэрыхъунур. Псом хуэмыдэу Борис. «Жэщ, махуэ жумыIэу репетицэ пщIыну ущыхуейм деж нэпсалъэ уэ» къызжиIэри сыкъыдихыжат. Унэм ущIэсу текстыр зэбгъэщIэныр мащIэщ, абыхэм жаIэр, къызэрапсэлъ щIыкIэр, къызэрысхущытыр зыхэсщIэн хуейтэкъэ?! Шэчышхуэм сиукIырт, ролым уелэжьыну апхуэдиз пIалъэ фIэкIа уимыIауэ, республикэр, театрыр утыку щипхьэну фестивалым ухэтын хуейуэ. Хьэкъыу спхыкIар зыщ: и пэм щыщIэдзауэ узыхэт спектаклым щыпщI ролым ещхьу, иужькIэ узыхыхьэжам зэи уигурэ уи щхьэрэ щызэтелъынукъым. Ауэ спектаклыр дгъэлъагъуэу Iэгуауэшхуэ щытхуаIэтам, ныбжь зиIэ лIы бжьыфIэр лъэгуажьэкIэ уву розэ гъуэжь Iэрамэшхуэр къыщызитам гугъуехь псори сщыгъупщэжат. ИгъащIэм мыпхуэдэ роль е мопхуэдэ роль къызэфт жысIэу сылъэIуакъым, атIэми ролкIэ зи кIэн къикIахэм сащыщщ. Мис мыбы сы-джэгунт жыхуэсIэу сызыщIэхъуэпсу сызэгупсысар сысей хъуащ зэпымыууэ, зэзэмызэ фIэкIа къэмынэу. Абыхэм щыгъуэми тхыгъэр театрым къимыщтауэ аращ. Филиппенкэ Александррэ Хьэмыку Жаннэрэ «Клад» фильмым хэтщ. 1975 гъэ Жаннэрэ Хьэщэ Къанщобийрэ. (Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «ИугъащIэ лъагъуныгъэм!» тхыгъэм къытращIыкIа спектакль). 1976 гъэ ЩоджэнцIыкIу Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романым къытращIыкIа спектаклым Жаннэрэ Къаздэхъу СулътIанрэ щоджэгу. 1978 гъэ Институтыр къыщыдухым ди егъэджакIуэм къызжиIат сыкъыздэкIуэж лъэпкъ театрым сызэса гулъытэм хуэдэ щызмыгъуэтынкIэ зэрыхъунур, Тхьэм и шыкуркIэ, къэхъуакъым апхуэдэ. Iэмал имыIэу сыкъэкIуэжу сызэрылэжьэн хуей илъэситIыр дэкIмэ, сыщыхуей дыдэм деж Москва згъэзэжыну Калиновскэм къызжиIами, ар къэзгъэсэбэпакъым. ИлъэсипщIым нэблагъэкIэ къызэкIэлъыкIуат ар Налшыки, зэпымыууэ къызэупщIырт зытезухуамкIэ. АрщхьэкIэ сыхутечакъым, жызоIэри, ролкIэ «сыкъызэримынар» арагъэнщ адыгэ театрыр щIэзмыбгынар… Е унэ зиIэм демыхъуэпса, е машинэ дэгъуэ исми, дунейр зрагъэлъагъуу къэзыкIухьхэми демыфыгъуа — зыри дыхуеякъым, Iэгу тхуеуэ закъуэмэ афIэкIа. Куэдым делафэ къыдаплъырт, нобэми дафIэгубзыгъэкъым. Ауэ щыIэщ мылъку къэугъуеякIуэ театрым зыри къызэрымыкIуар зыщIэхэри. Ди курсым щеджахэм ящыщу цIыху зытхухым ди дипломым итщ театрымрэ киномрэ нэмыщI, эстрадэми (художественнэ еджэныгъэм и мастер) дриактеру. 4-нэ курсым сыщеджэу цIыхуищ дыкъыхашри Яхонтовым и цIэр зезыхьэ союзпсо зэхьэзэхуэм дашауэ щытащ. КъэпщытакIуэ гупым хэс Токаревэ Викторие и рассказ сыкъеджати, «Мы хъыджэбз цIыкIум хуэстхами ярейщ», — жиIауэ щытат, етIуанэ увыпIэри къысхуагъэфэщат. Ауэ а жыпхъэр зэи къэзгъэсэбэпакъым, «мыбы щыцIэрыIуэкъым» жаIэри зэман куэд згъэкIуэдащ. Зыхуей хуэзэу, профессиональнэу пщIымэ, ауэтэкъым къэбгъэсэбэп зэрыхъунур. КъызэлъэIуурэ пшыхьхэм усэ сыкъыщеджащ куэдрэ, ауэ си жэрдэмкIэ зэи прозэ утыку къисхьатэкъым. Апхуэдэ гукъэкIыр япэу къыщызгъэсэбэпар Шыбзыхъуэ Басир и пшыхьырщ. КърихьэлIахэр къызэрызэдэIуамкIэ, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI цIыху зыбжанэм ягу ирихьауэ къызэрызжаIамкIэ къызгурыIуащ ар зэрыгъэщIэгъуэныр, тэмэму зэрыпхуэщIынур. — Театрым и къэкIуэнур сыт хуэдэу къэплъытэрэ? — Иджыпсту абы сытегузэвыхьыркъым, сыту жыпIэмэ институтыр диIэщ, зэчий зыбгъэдэлъ, бзэр Iурылъу къыщIэкIыххэмэ, театрым къищтэнущ, шэч хэмылъу. Абы нэмыщI дыщогуфIыкI илъэс 20-м щIигъуауэ къэмыхъуауэ адыгэ студие Щукиным и цIэр зезыхьэ училищэм зэрагъэкIуам. Абыхэм къагъэзэжыну дапоплъэ икIи дыщогугъ театрым дэ худиIэ лъагъуныгъэм пащэну, спектакль телъы-джэ куэд ягъэувыну, уеблэмэ хьэзыру къытхуздашэжыну. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтыр диIэ зэрыхъурэ ди гуп къищтэжыртэкъым а еджапIэ лъэщым, иджы студиер гъуэгу зэрытрагъэувар зи фIыгъэр Фырэ Русланщ, аращ ерыщу абы и Iуэху зезыхуар. — НасыпыфIэу зыкъэплъытэжрэ, Жаннэ? — НасыпыфIэ дыдэу зызылъытэжыфынур цIыху делэрщ. Ауэ насыпыр зыхэплъагъуэ Iыхьэ куэду гъащIэр зэхэлъщ. Уи сабийм и зы текIуэныгъэ цIыкIури насыпщ, уи къуэрылъхум и зы ехъулIэныгъэри насыпыфIэ узыщIщ. Насыпым и курыхыр лэжьапIэм къыщоуэлIэфынущ. И кIэм нэса спектаклым нэхърэ ар щыбгъэхьэзырым насып нэхъыбэ къыпкърыкIыу къысщохъу сэ — узыхуейр лэжьыгъэм къыхэпIущIыкIыу, псори зэпэщу, къохъулIэу. Насыпщ зы псалъэ гуапэри, дыгъэпс махуэри. СыщынасыпыфIэ дыди насыпыншэу зыкъыщыслъытэжи куэдрэ сохуэри, къызгурыIуар зыщ: тIэуней сынасыпыншэщ, лэжьыгъэм пэIэщIэ сыщыхъукIэ. Театр Iуэху зезмыхуэрэ — сэ сы-Жаннэу зыкъысщыхъужыркъым, гъуджэм къищ теплъэ гуэру фIэкIа. Ди ныбжьым унэса иужь узэрыпсэу къудейм, узэрылэжьэфын узыншагъэ узэриIэм, уи сабийр лъэкIэ зэрыувам насыпыфIэ удохъу. Унагъуэм уи Iуэху щытэмэммэ, лэжьыгъэри къохъулIэнущ, абы гуныкъуэгъуэ ухидзэрэ, гугъэзэгъэгъуэ къуимытрэ — уи IэнатIэри апхуэдэнущ. Епсэлъар ИСТЭПАН Залинэщ. Толстой Алексей и «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ». 1983 гъэ IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» пьесэмкIэ ягъэува спектаклым щоджэгу Дэбагъуэ Романрэ Жаннэрэ. 1992 гъэ Актрисэу ущытыныр гухэхъуэщ икIи гугъуехьщ Дэтхэнэ цIыхуми къыщыщIыр телъыджэу езым екIурщ Хаксли. Хьэмыку Жаннэ Хьэжумар и пхъур ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ пажэщ. Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэм (Москва къалэ) и адыгэ студиер къиухащ, Лениным и стипендиер къихьу еджащ. Иджыри студенткэу Художественнэ тхыгъэ къеджэхэм я союзпсо зэхьэзэхуэ Яхонтовым и цIэр зезыхьэм (Ленинград къалэ) етIуанэ увыпIэр къыщихьат Хьэмыкум. ЕхъулIэныгъэ иIэу зэреджэм папщIэ, абы къыхуагъэфэщауэ щытащ ВЛКСМ-м и ЦК-мрэ СССР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ я щIыхь тхылъхэр. 1989 гъэм Хьэмыку Жаннэ фIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ» цIэ лъапIэр. Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм я лъэпкъ театрхэм я «Утыкур гъунапкъэншэщ» етIуанэ фестивалым и лауреатщ. Район газетым редактору илъэс куэдкIэ щылэжьа и адэм ещхьу, журналист хъуным щIэхъуэпсырт Жаннэ, зэгуэр тра-дза и тхыгъэми иригушхуэрт. АрщхьэкIэ, зэрыжаIэщи, уи натIэм къритхам уфIэкIын?! КъБКъУ-м и литературэ факультетым щIэтIысхьэну зызыгъэхьэзыр, тхылъхэр щIэджыкIыным хуэнэхъуеиншэ, Тэрч къалэ школыр фIы дыдэу къэзыуха Жаннэ Москва Щукиным и цIэр зэрихьэу дэт еджапIэм ягъэкIуэну гупым хагъэхьащ. Зи щIыбым щхьэц ухуэна IэдиитIыр едзыха адыгэ хъы-джэбзыр къалащхьэм и студенткэ хъуат. А ехъулIэныгъэшхуэм и нэр къыщхьэригъэпхъуакъым илъэс 17 фIэкIа мыхъу бзылъхугъэ цIыкIум: Iэдэбу еджэу хуежьащ, и зы хьэл-щэныфIи IэщIыб ищIакъым, сыт щыгъуи хуэдэу, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэти. Литературэм хуиIэ лъагъуныгъэрщ, гъащIэм набдзэгубдзаплъэу зэрыпхыплъыфырщ и IэщIагъэм — актрисэ IэщIагъэм — лъабжьэ быдэ хуэхъуар. Жаннэ пасэу къыгурыIуащ дахагъэр Алыхьым кърита тыгъэу, адрей псори уи псэмрэ акъылымрэ гугъуехь пылъу къигъэщIын хуейуэ зэрыщытыр. Актрисэ гукъинэжу зыкъэбгъэлъэгъуэныр зэрыгухэхъуэм нэмыщI, ар икIи гугъуехьщ. Театреплъыр къызэрыпщыгугъым хуэдэу укъыщIэкIын хуейщ: абы елъагъу узигъусэри, пщIэри, зэрызыпхуапэри… ЖысIэну сызыхуейращи, актрисэ IэщIагъэм жыпхъэ пыухыкIам урегъэувэ. Абы ухуэфащэу зэпымыууэ дунейм утетыпхъэщ, ар фIы дыдэу зрегъэхъулIэф Жаннэ. Студиер республикэм къеблэгъэжат фIым хуэпабгъэу, цIыхубэм деж щата экзаменми, зэрыжаIэщи, «тху» къыпэкIуат. Джэгурт еш ямыщIэу, къыздашэжа лэжьыгъэ псори екIуу утыкум къызэрырахьэнум пылъу. Абы лъандэрэ зэман куэд блэкIащ, ауэ абыхэм я къэкIуэжыкIар адыгэ щэнхабзэм и тхыдэм гуапэу къыхэнащ, дэри нобэр къыздэсым тщыгъупщэжыркъым. Думбадзе Нодар и пьесэм къытращIыкIа «Кукарачэ» спектаклым Ингэ и ролыр Жаннэ зэрыщигъэзэщIар, уеблэмэ щыгъа бостейр си нэгум иджыри щIэтщ. Абы щыгъуэ дыщIалэу, лъэпкъым къыдэхъу Iуэхухэм дыщыгуфIыкIыу дызэрыщытам и закъуэкъым ар гуи- мыхуж щIысщыхъуар, атIэ утыкум ита артистхэр я IэщIагъэм зэрыхуэIэижьырт, я зэфIэкIыр зэрылъагэрт. Хьэмыку Жаннэ щыджэгуащ IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» пьесэм режиссер Теувэж СулътIан къытрищIыкIа спектаклым (Адисэ и ролыр игъэзэщIащ), Уильямс Теннес и «ХъуэпсапIэм и трамвай»-м (Бланш), Саган Франсуазэ и «Удзым хэт пианинэ» пьесэр и лъабжьэу Дэбагъуэ Роман игъэува лэжьыгъэм, нэгъуэщI куэдми. Хьэмыку Жаннэ етхуанэ курсым щIэсу кином ирагъэблэгъауэ щытащ. Абы роль нэхъыщхьэр щигъэзэщIащ Воронцов Ольгерд и «Клад» фильмым, Свердловскэ киностудием 1975 гъэм щытрахам. ИужькIэ актрисэм къыхуагъэлъэгъуат Шоу Бернард и «Пигмалион» фильмым хэтыну, арщхьэкIэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым зэрыщыджэгум зэман къызэрыхудэмыхуэм къыхэкIыу ежьэфатэкъым. МЭРЕМКЪУЛ Людмилэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27625.txt" }
Сочэ псори щыпшх хъунукъым ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр Сочэ щыщекIуэкIкIэ, языныкъуэ ерыскъыхэкIхэр щрамыгъэщэну ягъэхъыбарри, пэж? Краснодар крайм и Роспотребнадзорым игъэнэIуащ Олимп Джэгухэр щекIуэкIкIэ, ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр шхапIэхэм щрамыгъэщэну. Абы хохьэ, лы хьэжа зыхэлъ макароныр, езыр-езыру ягъэхьэзыра псыIэфI, фадэ хуэдэхэр, мыгъэпщта шэм къыхэщIыкIа кхъуейлъалъэр, унагъуэм щащIа фIэIугъэхэр, нэгъуэщIхэри. Ахэр зыгъэувар СанПиН-ращ. Къыхэбгъэщмэ, ахэр щрамыгъэщэн хуейр Сочэ и закъуэкъым, атIэ Урысейм и къалэ псоми а унафэм щытетын хуейщ сыт щыгъуи. Ар къыщIыхалъхьари цIыхухэм а ерыскъыгъуэхэр емызэгъыу къыщызэIигъэхьэ куэдрэ къызэрыхъурщ. Тхуапэ нэхърэ нэхъыфIщ Мы гъэм и фокIадэм щыщIэдзауэ школакIуэхэм щыгъын зэщхьхэр яIэн хуейуэ жаIэ. Къэрал Думэм и депутатхэр иджыпсту йолэжь школакIуэхэм я щыгъыныр зэщхьу щытыным теухуа законым и проектым. «ФокIадэм и 1-м лэжьэн щIэзыдзэ «УФ-м щекIуэкI егъэджэныгъэм ехьэлIауэ» законым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, мы Iуэхум унафэ щытращIыхьыну хуитщ хэгъуэгухэмрэ курыт школхэмрэ. Абы теухуа законыщIи дыхуейкъым, — жиIащ Къэрал Думэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Смолин Олег. – Къэралым и школакIуэ псори щыгъын зэщхькIэ пхуэпэну къыхэплъхьэныр егъэлеящ. Ар къэрал бюджетым щыщ ахъшэкIэ ебгъэдмэ, сом мелард 50-м нэблагъэ текIуэдэнущ. А ахъшэмкIэ сабий псори пхуэгъэшхэнут — школакIуэхэм я нэхъыбэм япкърыт узыфэхэр къызыхэкIыр тэмэму зэрамыгъашхэрщ». «АиФ».
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27635.txt" }
БлэкIамрэ ди зэманымрэ зэплъытмэ… УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ щIэуэ Урысейм щагъэхьэзыр тхыдэр курыт еджапIэхэм зэрыщрагъэджыну тхылъыр. Ар зыхуэдэнум, Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм иджырей щIалэгъуалэм пщIэ щIыхуамыщIым, депутатхэм къызэрыгуэкI лэжьакIуэ щIахэмытым, нэгъуэщIхэми «АиФ» газетым хутепсэлъыхьащ УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, тхыдэр илъэс 54-кIэ школым щезыгъэджа Сидоровэ Галинэ. Ар Лэжьыгъэм и ветеранщ, апхуэдэуи «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым етIуанэ нагъыщэ зиIэ и медалыр къыхуагъэфэщащ. — Галинэ, уэ лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъукIэ тхыдэр ебгъэджащ. А тхылъым итын хуейм укъытхутепсэлъыхьыфыну? — Сыт хуэдэ къэралми езым и идеологие, зыхущIэкъу мурад гуэр иIэн хуейщ. Тхыдэр зэрырагъэдж тхылъыр, шэч хэмылъу, къэралым и дэнэ щIыпIи щызэтехуэу икIи а идеологиер щыпхышауэ щытыпхъэщ. Сыт дэ дызыщIэкъур? Демократие къэралыгъуэщ! Абы ипкъ иткIэ, ди зыужьыныгъэм и дэтхэнэ Iыхьэми а демократизмэр ди тхылъхэм щыхэплъэгъуэн хуейщ. — Урысейм и тхыдэм и Iыхьэ зыкъомым демократие лъэпкъ хэмытамэ-щэ? — Сэ зи гуащIэдэкIкIэ псэуж унагъуэ сыкъыхэкIауэ аращ, репетитор Iуэхуи сыхэмыту институтым сыщIэтIысхьэри къэзухащ. Сэ сщIэуэ щытакъым узыншагъэр зэфIэгъэувэжыным пщIэ щIэтыныр зищIысыр. Ар демократиетэкъэ? Сэ сабийхэм мызэ-мытIэу къызжаIащ: уэ гъащIэм узэреплъыр псори щхъуэкIэплъыкIэу уэзыгъэлъагъу нэгъуджэ пIулъущ. Сэ жэуапу ястыжырт: зыгуэрхэр къызыхуэтыншэу къызыфIэзгъэщIу къыщIэкIынущ, ауэ итIани ди къэралым и зыужьыныгъэр си фIэщ мэхъу. Ауэ иджыпсту апхуэдэу пхужыIэнукъым. Сэ абыхэм яжесIэнщ — пэжым фытет, жэуап къызатыжынщ — псори мэдыгъуэ. ЦIыху нэсу гъащIэм хэувэн папщIэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтын зэрыхуейр яжесIэнщ, езыхэр къыспэджэжынщ: мес, щIэныгъэншэхэри хъарзынэу мэпсэу, IэнатIэфIхэр цIыхугъэкIэ зыIэрагъэхьауэ. Мис абы къыхэкIыу, сэ къызолъытэ, къэралым идеологие хэха иIэн хуейуэ. Пэжагъыр, захуагъэр, демократиер зи лъабжьэ идеологие. НэгъуэщI мыхъуми, егъэджакIуэм сабийхэм яжриIэн иIэн щхьэкIэ. Ауэ къэралыр зезыхьэхэм Сердюковыр ямыгъэкъуаншэу, дзэм папщIэ IуэхуфI куэд ищIауэ жаIэмэ, дэнэ идеологие къыздикIынур? — Хуитыныгъэм дауэ узэрыхущытыр? Уи гъащIэм къриубыдэу уэ плъэгъуащ ди къэрал унафэщI зыбжанэм я лэжьэкIэр, хэку Iуэху зэрызэрахьэ щIыкIэ зэмыщхьхэм урихьэлIащ… — Хуитыныгъэ димыIэу зэи зыхэсщIакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди къэралыгъуэм щекIуэкI псори си фIэщ хъурти. Мыбдежым цIыхухэр зэхэзехуэн зэращIам фыкъыщысхутемыпсэлъыхь. Сыт хуэдэ къэрал зыхуэшэчынур езым къыхуэмыарэзыхэр уэрамым къыдыхьэу? Апхуэдэхэр ноби ягъэтIыс, къэралым ирагъэкIыркъым, мис ар демократием къитIасэркъым. Иджыпстуи щыIэкъым демократие. Сыт хуэдэ властми игу техуэнукъым къыпэщIэувэхэр. — ЗэхъуэкIыныгъэм ижь зыщIихуа школакIуэ куэд ебгъэджащ. ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм къриубыдэу дауэ захъуэжа абыхэм? — Сэ 1950 гъэ лъандэрэ езгъэджащ, къыщыщIэздзар цIыхухъу школырщ — абы щыгъуэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зэпэщхьэхуэу ирагъаджэрт. 5-нэ классым и унафэщIу сылажьэрт, абы щIэсхэр зауэм и бынхэрат. Апхуэдэуи 10-нэ классым щIэсхэм тхыдэр езгъэджырт, ахэр илъэси 4-кIэ нэхъыщIэу арат сэ нэхърэ (иджыпсту илъэс 80-м щIигъуащ зи гугъу сщIыхэр). Си япэ сабийхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэм пщIэшхуэ хуащIырт: ЕГЪЭДЖАКIУЭМ ЖИIАЩ. Абы зыри тепсэлъыхьыжыртэкъым. А цIыкIухэм егъэджакIуэхэми я ныбжьэгъухэми Iей лъэпкъ ягу къахуэкIыртэкъым. ИужькIэ хуэм-хуэмурэ фыгъуэр къежьащ — мобы иIэщ, сэ сиIэкъым. Иужьрей илъэсхэм Тулэ и гимназие нэхъыфIым сыщылэжьащ. Школым къызэрыкIуэ щыгъын зэщхьыр зэрахъуэкIа нэужь, адэ-анэ къулейхэм я бынхэр къахэщхьэхукI хъуащ. Зэгуэрым зы къулыкъущIэ гуэрым и къуэм и классэгъум жреIэ: мор нэбгъузкIэ къызэплъащи, «схукъуэлъхьэт» ахъшэ уэстынщ. Апхуэдэурэ, псори къызэралъытэр ахъшэм хуэкIуащ. Ахъшэ уиIэмэ, гъащIэм зыгуэр ущиуасэщ. Сызыщылэжьа гимназием и егъэджакIуэ гуэр къысхуотхьэусыхэ — пэщIэдзэ классым щIэс щIалэ цIыкIу гуэрым мыпхуэдэу къыжриIащ: «Сыт сэ уэ пщIэ щIыпхуэсщIынур? Си анэм къихьым хуэдиз къэблэжьу ухъумэ, итIанэ пщIэ пхуэсщIынщ». — Сыт абы и щхьэусыгъуэр: адэ-анэхэм я быныр ямыгъасэу ара, хьэмэрэ фIымрэ Iеймрэ зэхагъэкIыфу школым щамыущийуэ ара? — Псори зэхэтщ. Къапщтэмэ, егъэджакIуэхэми захъуэжащ, языныкъуэхэр хьэлэлу мэлажьэ, адрейхэм я дерсыр псынщIэу ирагъэкIуэкIри, сабий къыкIэрыхум репетитор къыхуащтэну къэзылъхуахэм чэнджэщ ират. Ар Iуэху хъунукъым, школым щIэныгъэ къыщIэпхын хуейщ. Ауэ щыхъукIи, егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр ядэIыгъын хуейщ. Хэти топсэлъыхьыф егъэджакIуэм и мыхъумыщIагъэм, ауэ абы и лэжьыгъэм къыпэкIуэ фIыр зыми илъагъуркъым. Сэ си еджакIуэхэр къапщтэмэ, абыхэм яхэтщ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием и член-корреспонденти, ди къэралым и онколог нэхъыщхьи, конструктор цIэрыIуэхэри, къызэрыгуэкI лэжьакIуэу къэрал саугъэтхэр зыхуагъэфэщахэри. — Пэж дыдэу, зи гуащIэдэкIкIэ псэухэр къулейсыз хъуащ нобэ, абы ипкъ иткIэ, я IэнатIэм къыщыхэжаныкIыну апхуэдэ гукъыдэж яIэкъым, нэхугъэм, дахагъэ хэIэтыкIахэм щIэхъуэпсыным и гугъу умыщIыххэ… — Сэ сыщыпсэу щIыпIэм исхэр къызэрыгуэкI лэжьакIуэ защIэщ. Абыхэм зыри къагурымыIуэ фи гугъэрэ фэ, я хъуреягъым къыщекIуэкIыр зэхамыщIыкIыу къыфщыхъурэ? ИкIи йогупсыс, икIи зэпкърах. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, акъыл яIэщ, лэжьыгъэм и пIалъэр фIыуэ ящIэ. Сэ сыкъызыхэкIари лэжьакIуэ унагъуэщ — Iэщэ щащIу Тулэ дэт заводым щылэжьахэщ. Си адэм лэжьыгъэм къызэрыщыхэжаныкIам щхьэкIэ медаль, Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь орденыр къыхуагъэфэщащ. ИужькIэ ар цIыхубэ депутату хахащ. Заводым щиIэ лэжьыгъэр иуха нэужь, жылагъуэ Iуэхум щIидзэрт. Ди анэм зэгуэр ди адэм жриIат: «УнэщIэхэр ящIащ, тыншу ущыпсэун папщIэ псори щIэту, уэ удепутатщ, итIани дэ дызыщIэсым еплъ». Ар и щхьэгъусэм хуеплъэкIри пидзыжат: «Сыт а жыпIэр? ЦIыху куэд дэ нэхърэ нэхъ Iейуэ мэпсэу». Иджыпсту феплъыт депутатхэм зэхащIыхьхэм — хамэ къэралхэм ахъшэ гъэтIылъа, щIы, унэ, хьэрычэт Iуэху щаIэщ. Дэ ахэр къытхуейкъым, я щхьэ Iуэху зэрахуэжу аращ. Ди областым и депутатхэр къапщтэмэ, зы лэжьакIуэжь яхэткъым. — Уэ узэреплъымкIэ, апхуэдэ «зэрыпхъуакIуэхэр», МафIэ мыужьыхым деж нэмысыншагъэ щызылэжь щIалэгъуалэр дэнэ къыздикIыр? — Ар унагъуэм, школым гъэсэныгъэ тэмэм зэрыщамыгъуэтырщ къызыхэкIыр, къэрал псом къыщекIуэкIми елъытащ. Унагъуэр гъэсэныгъэм и псэкупсэу къэтлъытэжыркъым. ЦIыхугъэм, дуней тетыкIэм лъабжьэ хуэхъур къыщежьэр унагъуэращ, абы щIэс нэхъыжьхэр я блэкIам, щыпсэу къэралым, фэеплъхэм зэрахущытым хуэдэ дыдэущ сабийхэри зэрыщытынур. Школым и къалэн нэхъыщхьэр сабийр гъэсэнымкIэ унагъуэм дэIэпыкъунырщ, щIэныгъэ етынырщ. Ауэ щыхъукIи, къэралым идеологие имыIэу хъунукъым. Мис зи чэзу накъыгъэм и 9-р блэкIащ, аргуэру зы илъэскIэ ветеранхэр ящыгъупщэжынущ. ТекIуэныгъэр къызэрахьрэ илъэс 68-рэ мэхъу, ауэ ноби зыщIэсын унэ зимыIэ ветеран щыIэщ. Ар зэхэтыкIэ хъурэ! — Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыдахыжащ иджыблагъэ. ЕгъэджакIуэм хуэфащэкъэ апхуэдэ? — ЕгъэджакIуэм деж зэи нэсынукъым а дамыгъэ лъапIэр, абы гу щылъатэр иужь дыдэущ. Езыхэм я IупэфIэгъухэм ирихуэупсэжыну аращ. ЕгъэджакIуэм щIыхь зиIэ, цIыхубэ цIэхэр хурырагъэфащэ. Аращ ди дежкIэ саугъэт нэхъ лъапIэр — дэ цIыхубэр едгъаджэу, дгъасэу аращ. Епсэлъар Кузнецовэ Татьянэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27636.txt" }
Нобэ 1954 гъэм Налшык къыщызэIуахащ украин тхакIуэ Вовчок Маркэ и фэеплъ. Адыгэ тхыдэдж, этнограф, тхакIуэ Хъан-Джэрий СулътIан къызэралъхурэ илъэс 205-рэ ирокъу. КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Щхьэгъэпсо Таужан къызэралъхурэ илъэс 96-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым къызэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 22-рэ, жэщым градус 13 — 14 щыхъунущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27638.txt" }
Хьэмыку Жаннэ и бенефис ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым ныщ- хьэбэ щекIуэкIынущ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэмыку Жаннэ и бенефис. Театреплъхэм ялъагъунущ итальян драматург Николаи Альдо и «Немного нежности» пьесэм къытращIыкIа «Гулъытэншэ хъуахэр» спектаклыр. Ар зыгъэувар УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Фырэ Русланщ. «Гулъытэншэ хъуахэр» спектаклыр теухуащ зыхуей хуэзэ я бынхэм жьы хъуахэр щапIыж унэм ирата цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я лъагъуныгъэм. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыщыбгъэдыхьэмэ, зи адэ-анэм епцIыжхэм я хъыбарщ ар, цIыху гъащIэм увыпIэ щхьэхуэ щызыгъуэт нэщхъеягъуэщ. Хьэмыку Жаннэ Къэбэрдей театрым и актрисэ пажэщ, спектакль куэдым роль нэхъыщхьэр щегъэзащIэ. 1974 гъэм япэ образыр зыщIа Жаннэ и лъагъуэр щришэжьа IэнатIэм епцIыжакъым, нобэми абы и утыкур егъэбжьыфIэ. Зэчий зыбгъэдэлъ, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа артисткэм и бенефисыр республикэм щыпсэухэм я дежкIэ махуэшхуэщ. ГЕРАСИМОВЭ Риммэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27640.txt" }
«Шэрджэсхэр: къэкIуэнум и теплъэгъуэхэр» Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэу Налшык дэтым нобэ щекIуэкIынущ «Шэрджэсхэр: къэкIуэнум и теплъэгъуэхэр» зыфIаща зэIущIэр. дуней псом щикъухьа адыгэхэм гъэ къэс накъыгъэм и 21-м ягу къагъэкIыж цIыху минищэ бжыгъэ зыхэкIуэда Кавказ зауэжьыр (1763 -1864 гъгъ.). Илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэр хъуащ адыгэ лъэпкъым насыпыншагъэ нэхъ ин дыдэ къыхуэзыхьа лъэхъэнэу. Кавказ зауэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж Фэеплъ махуэм ехьэлIауэ зэхагъэува республикэпсо планым ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэмрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ зэгъусэу нобэ ирагъэкIуэкI «Шэрджэсхэр: къэкIуэнум и теплъэгъуэхэр» зыфIаща зэIущIэр. Абы сыхьэт 15-м Налшык ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрамым тет ДАХ-м и хэщIапIэм щыщIидзэнущ. Адыгэхэм я тхыдэм гуауэкIэ гъэнщIауэ хэт напэкIуэцIхэм зэгъусэу тепсэлъыхьыжын папщIэ зэхыхьэм кърихьэлIэнущ IэщIагъэлIхэр, республикэм и жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэт щIэныгъэлIхэр, зэфIэкI къэзыгъэлъэгъуа щIалэгъуалэр, нэгъуэщIхэри. ПЩЫГЪУЭШ Iэсият.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27643.txt" }
Лэжьыпхъэхэр щаубзыху КъБР-м и Правительствэм накъыгъэм и 13-м щызэхуагъэкIуащ Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым щыIэ турист-рекреацэ экономикэ щIыпIэ хэхам щIы кадастр лэжьыгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIынум, апхуэдэу абы хыхьэ щIыналъэр зэраубзыхуну щIыкIэм и проектыр «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер обществэ зэIухам зэригъэхьэзырынум пыщIа Iуэхугъуэхэр. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым турист кластер къыщызэгъэпэщыным теухуа проектым УФ-м и Президентыр арэзы техъуауэ щытащ, ар гъэзэщIэнымкIэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр «КИФЩI-м, Краснодар крайм, Адыгей республикэм турист кластер къыщызэгъэпэщыным теухуауэ» 2010 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м Правительствэм къищта Унафэ №833-мкIэ щIагъэбыдащ. НэхъапэIуэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм экономикэ щIыпIэ хэха къыщызэрагъэпэщ. Фигу къыдогъэкIыж: экономикэ щIыпIэ хэхам и проектыр щIыналъищым щагъэзэщIэнущ — «Безенги» бгы-рекреацэ комплекс (Шэрэдж, Шэджэм муниципальнэ районхэм), «Iуащхьэмахуэ лъапэ» бгы-рекреацэ комплекс (Iуащхьэмахуэ муниципальнэ район), «Джылы-Су» турист-рекреацэ комплекс (Дзэлыкъуэ муниципальнэ район). Къэрэщей Элеонорэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27646.txt" }
Министрым къипщытащ зи узыншагъэм кIэлъызыгъэплъхэр хущхъуэкIэ къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэр КъБР-м узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министр Шэт Ирмэ я лэжьыгъэр къипщытэн мурадкIэ, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм щыIащ СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ центрымрэ Республикэ клиникэ сабий сымаджэщымрэ. Апхуэдэу а махуэхэм КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм и къэпщытакIуэ гупым зрагъэлъэгъуащ жьэн узыфэр зыпкърытхэм щеIэзэ, наркологие, психоневрологие диспансерхэм, район сымаджэщхэм я лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр. Нэхъыбэу гулъытэ зыхуащIар махуэшхуэхэм IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр зэраубзыхуар, мафIэс къэмыгъэхъуным и хабзэхэр зэрагъэзащIэр, сымаджэхэр хущхъуэкIэ къызэрызэрагъэпэщыр къэпщытэнырщ. Сымаджэхэм щепсалъэм министрыр япэу зыщIэупщIар зыхуеину хущхъуэхэр къазэрыIэрыхьэмрэ я шхыныгъуэхэм лыхэкI хэт-хэмытымрэщ. Абы сымаджэщхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэм яхуигъэуващ сымаджэхэр хущхъуэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъум ткIийуэ кIэлъыплъыну. «Къэрал сымаджэщхэм щIэлъхэм зыхуеину хущхъуэхэр езыхэм я ахъшэкIэ къащэхужыныр къэвгъэхъункIэ Iэмал иIэкъым», — жиIащ Шэт Ирмэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэхъапэкIэ екIуэкIа къэпщытэныгъэхэм япкъ иткIэ, я IэнатIэм IуагъэкIащ Прохладнэ къалэм дэт район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэр, хирургие къудамэм и унафэщIыр, медсестра нэхъыжьыр. Абыхэм я сымаджэхэм я мылъкукIэ кърагъэщэхужащ зыхуеину хущхъуэхэр, уIэгъэпххэр, мастэхэр, абы щыгъуэми ахэр псори езым я аптекэм щIэлъу. СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ центрым къыщаIэтащ медсестрахэм я улахуэр зэрымащIэм теухуа псалъэмакъ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыарэзыныгъэхэр зэрыщыIэр нэхъапэкIэ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм и «линие пщтырым» псалъэри жаIат. Иджыпсту курыт медицинэ лэжьакIуэм сом мин 13-м нэс къехь, улахуэм хагъэхъуащ абы дыщIагъу зэрагъэпажэ IыхьэмкIэ. Шэтым унафэ ищIащ зэрагъэпажэ Iыхьэр тезыгуашэ къэпщытакIуэ гупым курыт медицинэ лэжьакIуэхэм ящыщу иджыри цIыхуи 3 хагъэхьэну. Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым щрагъэкIуэкIа зэIущIэм министерствэм и къэпщытакIуэ гупым наIуэ къыщащIащ къабзагъэм и хабзэхэр нэгъэсауэ абы зэрыщамыгъэзащIэр, апхуэдэуи жаIащ я Iуэхухэр тэмэму гъэзэщIа хъуным жэуаплыныгъэ пылъу зэрыбгъэдэмыхьэр. «ГурыIуэгъуэщ дэтхэнэ зы IуэхущIапIэри мылъку зэрыхуэныкъуэр, — жиIащ Шэт Ирмэ, — ауэ къызэрыгуэкI Iуэхухэри жэуаплыныгъэ пылъу зэфIэтхыу, сымаджэщым и мылъкур тэмэму зэдгъэзахуэу щIэдвгъадзэ». ЗэIущIэм и кIэм министрым жиIащ къыщIагъэща ныкъусаныгъэхэр зэрагъэзэкIуэжар мыгувэу къызэрипщытэнур. Щомахуэ Лилэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "27651.txt" }