text
stringlengths
11
353k
meta
dict
Зрагъэсакъым пенальти еуэфу «Легион-Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:0 (пенальтикIэ 4:2). Мэхъэчкъалэ. «Динамо» стадион. Бадзэуэгъуэм и 28-м. УФ-м и кубокым и финалым и 1/128-нэ Iыхьэ. ЦIыху 400 еплъащ. Судьяхэр: Лапатухин (Мэзкуу), Петров, Туркин (тIури Астрахань щыщщ). «Легион-Динамо»: Магомадов А., Гасанов, Мусуев, Сарафутдинов, Мальсагов, Абдуллаев, Панаев, Удунян, Курбанов, Саадуев, Магомедов Р. «Спартак-Налшык»: Антипов, Мэкъуауэ, Шумахуэ З., Ольмезов, Сындыку, Дэхъу, Шумахуэ И., Багъэтыр (Ашуев, 67), ХъутIэ, Белоусов, ЛIуп. Урысей Федерацэм и кубокыр 2022 гъэм къэхьыным теухуауэ зэхаубла зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ зэIущIэм, махуипщI ипэкIэ зэхэтам, «Спартак-Налшыкыр» Мэхъэчкъалэ къикIа «Динамо»-м 2:0-у зэрыщытекIуам и фIыгъэкIэ адэкIэ кIуатэри, финалым и 1/128-нэ Iыхьэм нэсат. Абыи хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуар Дагъыстэным и къалащхьэм и командэхэм языхэз «Легион-Динамо»-рат. Бадзэуэгъуэм и 28-м зэхагъэкIын хуейт а тIум хэт нэхъ лъэщми. Ар тынш зэрымыхъунум и щыхьэтт «Спартак-Налшыкымрэ» «Легион-Динамо»-мрэ иджыри къэс зэдрагъэкIуэ-кIа зэIущIэ 11-м ящыщу 7-р зэрытемыгъэкIуауэ зэриухар. Мыбыи къыпэплъэр арат. «Легион-Динамо»-м ди щIалэхэм зэрадэджэгуамкIэ и стадионым зэхьэзэхуэр къыщызэIуихащ. Абы цIыхур изу исыну къыщIэкIынт, арщхьэкIэ коронавирус уз зэрыцIалэм зыщахъумэн папщIэ апхуэдэ Iэмал зратар 400-ращ. Дэтхэнэми дэрэжэгъуэ ин зэригъуэтам шэч хэлъкъым. ЗэпэщIэувахэр сыт и лъэныкъуэкIи зэхуэфащэу къыщIэкIащ. Аращ ахэр зэрытемыгъэкIуауэ, бжыгъэри къызэIуамыхауэ джэгум хухаха зэман нэхъыщхьэр щIиухар. АрщхьэкIэ кубокым ехьэлIа зэIущIэхэм нэхъыфIыр занщIэу щызэхамыгъэкIыу хъунутэкъыми, Iуэхур пенальти еуэным хуэкIуащ. Дыдейхэр абыкIэ зэрыхуэмыхур Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 — 2021 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэхэм къагъэлъэгъуат, джэгугъуитI зэкIэлъхьэужьым метр пщыкIузым и деж щыту топхэр зэрыщыдамыгъэкIыфамкIэ. Абы лъандэрэ блэкIа мазитIым нэблагъэми, я Iэзагъым хамыгъэхъуауэ къыщIэкIащ. Пенальти япэу еуа «Легион-Динамо»-м и футболистыр штангэм техуащ. Ущыгугъ хъунут насыпым ди дежкIэ зыкъигъэзэну. АрщхьэкIэ «Спартак-Налшыкым» и капитан ЛIуп Ислъами, абы иужькIэ метр пщыкIузым бгъэдыхьа Ольмезов Артури хэгъэрейхэм я гъуащхьэтет Магомедов Алил ебзэджэкIыфакъым. АдэкIэ мэхъэчкъалэдэсхэм я гур къызэрыгъуэтыжащ икIи, я Iэмалхэр къагъэсэбэпри, 4:2-уэ текIуэныгъэр зыIэрагъэхьащ. Дыдейхэм, нэгъаби хуэдэу, пасэу къаухащ Урысей Федерацэм и кубокым ехьэлIа бэнэныгъэр. Биджиев Хьэсэнбий и гъэсэнхэм иджы я къару псори ирахьэлIэн хуейщ етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хуэфэщэну зыкъыщагъэлъэгъуэным. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100246.txt" }
Къэпщытэныгъэхэр йокIуэкI ДэнэкIи хуэдэу, Бахъсэн районым хыхьэ курыт еджапIэхэм, сабий гъэсапIэхэм я бжэхэр фокIадэм и 1-м къыхузэIуахыжынущ щIыналъэм и ныбжьыщIэ-хэм. Ахэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырыр мы махуэхэм къапщытэ а Iуэхугъуэм къыхузэрагъэпэща комиссэ щхьэхуэм. Районым еджапIэу итыр псори зэхэту 20-м щIегъури, абыхэм ящыщу и нэхъыбапIэм къэпщытэныгъэхэр щекIуэкIащ. А гупым хэтщ Бахъсэн щIыналъэм и админист- рацэм, егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ департаментым я унафэщIхэр, УФ-м и МВД-м Бахъсэн щIыналъэм щиIэ къудамэм, Бахъсэн къалэмрэ Бахъсэн районымрэ МафIэс къэмыгъэхъунымкIэ и къулыкъущIапIэм я IэщIагъэлIхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Гупым къапщытэ еджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIа щIыкIэр, абыхэм я фIагъыр е ябгъэдэлъ щыщIэныгъэхэр наIуэ къащIу. КъэпщытакIуэхэр здэщыIа IуэхущIапIэхэм ящыщ куэдым щхьэгъубжэщIэхэр, бжэщIэхэр хагъэуващ, лъэгущIэхэр ирадзащ, зытхьэщIыпIэхэр, шхапIэхэр, медицинэ пэш-хэр зыхуей щыхуагъэзэжащ. Апхуэдэу гулъытэ щхьэхуэ хуащI хуабэр, электрокъарур зрикIуэну бжьамийхэм. Абыхэм щыщIэныгъэ яIэкъым. Гупыр иужьрейуэ здэщыIар Жанхъуэтекъуэрэ Зеикъуэрэ дэт курыт школхэмрэ гъэсапIэхэмрэщи, абыхэми Iуэхур щытэмэмщ. Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур зэрыжиIэмкIэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхущIапIэхэр зэпэщу гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэжыным гулъытэшхуэ щыхуащI щIыпIэм. А Iуэхум хухахащ сом мелуани 6-м щIигъу. Комиссэм хэтхэм я лэжьыгъэм пащэнущ шыщхьэуIум и 4 пщIондэ. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100249.txt" }
Адэжь щIыналъэм и гъуэгужьхэр Анапэ быдапIэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм нэсыху дэнэкIи ущрихьэлIэрт выгухэмрэ шыгухэмрэ щызекIуэ хъу гъуэгу куэдыкIейм. Ахэр яухуэрт цIыхухэр зэкIэлъагъэкIуэн, щIыналъэхэм сату зэдащIын папщIэ. АдыгэщIым тIасхъэщIэхыу ита, артиллерием и генерал Новицкий Георгий 1830 гъэм дунейм къытригъэхьауэ щыта и тхыгъэхэм ящыщ зым дыкъыщоджэ: «…Анапэ къыщыщIэдзауэ Къэбэрдейм нэсыху адыгэ щIыналъэ псоми выгукIэ ущызекIуэ хъунущ. Езы къэбэрдейхэри Анапэ къыщыкIуэ куэдрэ къохъу, тыркухэм сату дащIын папщIэ». Выгухэм, шыгухэм папщIэ яукъуэдия гъуэгухэр, егугъуу икIи зы мардэм тету зэраухуамкIэ, шу-лъэс лъагъуэхэм къащхьэщыкIырт. Гъуэгухэр зэдэзыщIыр зэпэщыс къуажэхэм щыпсэухэрат, гухэр иризэблэкIыфын хуэдэу. Тхыдэдж, лъахэхутэ Дьячков — Тарасов Александр и тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхигъэщат «абазэхэхэм выгу гъуэгухэр шытх тхыцIэхэм ирагъэкIуэн яфIэфIу» зэрыщытар. А псалъэхэм я телъхьэу къоув а зэманым Екатеринодар (Краснодар) дэта ЦIыхухъу гимназием 1897 гъэм къыщыщIэдзауэ егъэджакIуэу щылэжьа Борчевский Семён: «ХъупIэжьий (ХьэфIыцIей, Геленджик) пэмыжыжьэу «Папай» цIэр зезыхьэ Iуащхьэм (метр 819-рэ и лъагагъщ) дыщыхуэкIуэм, сэ слъэгъуащ шэрджэс гъуэгужьым къыхэнэжахэр. … Ахэр иризэхэзекIуэгъуафIэу щытауэ пхужыIэнутэкъым, лъагащэу зэраIэтам къыхэкIыу. Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы гъуэгум хуэдэхэр шэрджэс щIыналъэхэм я бгылъэ щIыпIэ псоми зэрыщыIар». Бгы щыгухэм гъуэгухэр ирагъэкIуэныр, шэч хэмылъу, щхьэусыгъуэ зыбжанэм къыхэкIауэ щытащ. Япэрауэ: а зэманым абазэхэхэм я нэхъыбапIэр Лабэ, Щхьэгуащэ, Пщыхьэ, Пшыш, Псэкъупс я псыхъуащхьэхэм дэсащ. Ахэр иризэкIэлъыкIуэну къурш щхьэдэхыпIэхэр куэдкIэ нэхъ тыншт. ЕтIуанэрауэ, мыбдежым щIыр щынэхъ быдэщ, щыуэтIпсытIхэми къэмытIатIэу. Ещанэрауэ, зекIуапIэхэр шытх щыгухэм зэрытращIыхьым зауэ зэманым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт: зи щхьэхуитыныгъэр зыхъумэ шэрджэс щIыналъэм щыпсэухэр абыхэмкIэ шынагъуэншэу иризэкIэлъыкIуэрт. Псыжь адрыщIкIэ щыIэ тафэ щIыпIэхэм щыпхаша гъуэгухэр адыгэщIым къафIихьэ урысыдзэхэм, топхэр зыщIыгъухэм, зэхафыщIэрт, бжьыхьэ уэлбанэрилэм деж къахэнэж щIагъуи щымыIэу. Урысей къэралыгъуэжьым и гъунапкъэхэр Кавказым гъунэгъу къыщыхуэмыхъум, адыгэхэмрэ Кърым хъаныгъуэмрэ сату IуэхукIэ быдэу зэпыщIат. Абы къыхэкIыу, а зэманми гулъытэшхуэ хуащIырт гъуэгухэм я фIагъым. Зылъэгъуахэм зэраIуэтэжымкIэ, КIахэм щыщу Натхъуэдж щIыналъэрат гъуэгу нэхъыфIхэр здэщыIэр. «Ахэр ямыIэу Шэрджэсыр псэуфынутэкъым, мамыр зэманми зауэ лъэхъэнэми», — дыкъыщоджэ ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа тхыгъэхэм ящыщ зым. Мыбдеж къыщыгъэлъэгъуапхъэщ адыгэхэм мы IэнатIэм Iэзагъэшхуэ халъхьэу зэрыщытари. Лэжьыгъэхэм щынэхъыщхьэр гъуэгухэр захуэ щIынырати, абы папщIэ пхъэм къыхэщIыкIа банэлъэхъур къагъэсэбэпырт. Ар адэкIэ-мыдэкIэ къралъэфэкIыурэ, щIыр зэфэзэщ ящIырт. Гъуэгухэр щыпхашкIэ, мэз кусэ цIыкIуу зэхэкIэжа щIыпIэхэрат къыхахыр. Жыгышхуэхэр выхэмкIэ къыхатхъырти, щIыр яубэжырт. Псом япэу зэгупсысыр выгу, шыгухэр зэблэкIыфу зэрыщытынрат. Абы къыхэкIыу гъуэгухэр яукъуэдийрт, псэлъафэм къызэрыхэщыжщи, «зы къуэрагъ хуэдиз и бгъуагъыу» — нэгъуэщIу жытIэмэ, «IэплIакIуэм» метри 3,5-рэ къызэщIрагъэубыдэу. Яухуэ гъуэгум и кIыхьагъыр къыхахырт зы махуэ-махуитIым зэфIагъэкIыфын хуэдэу. Ягу ирихьа щIы Iыхьэр пхъэIэщэкIэ явэрт. Къыбгъурыт мэз кусэ цIыкIухэм еIусэртэкъым, абыхэм я лъабжьэхэм щIы щхьэфэхэр зэрызэтраIыгъэм къыхэкIыу. Выгу зекIуапIэхэр быдэ ящIын папщIэ, пэмыжыжьэу къыщIах ятIагъуэр абыхэм тракIутэрт, псы зэрызыщIимышэм къыхэкIыу. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100252.txt" }
ЩIэныгъэлI Хьэкъун Барэсбий псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут ФIыщIэ жыг зыхуэфащэ Зэуэ къыхэгъэщын хуейуэ къыщIэкIынщ, — Барэсбий езыми жиIэжу зэрыщытащи, дунейм къыщытехьар бадзэуэгъуэм и 9-рщ, ауэ унагъуэм Iуэху ящIу къуажэ Советым щыкIуар бадзэуэгъуэм и 29-рати, а махуэращ сабийм хуатх тхылъым къыщагъэлъэгъуар. Нэхъыщхьэращи, а сабийм къищIыкIат адыгэ щэн зыхэлъ, адыгэгу зыкIуэцIылъ, щIэныгъэм хуеIэ, а щIэныгъэр и лъабжьэу ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэм дыхэзыгъэплъэжа цIыху. Барэсбий и цIэр зэхэзымыха къэгъуэтыгъуейщ, ауэ иджыри зэ фигу къэдгъэкIыжынщ абы фIыщIэ жыг хуэфащэу къыщIэтлъытэм щхьэусыгъуэ хуэхъу лэжьыгъэшхуэхэр. 1975 гъэм Черкесск къалэм дунейм къыщытехьащ къэкIыгъэцIэу зы мин щызэхуэхьэса тхылъ, адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, латиныбзэкIэ зэреджэмрэ къэкIыгъэхэм я сурэтхэмрэ иту. Елэжьыжауэ, къэкIыгъэцIэ 1500-рэ иту, етIуанэу а тхылъыр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 1992 гъэм къыщыдэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и мэкъумэш факультетыр къэзыуха, мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат Хьэкъун Барэсбий тIэу къыдигъэкIыжа «Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр» псалъалъэм фIэкIа и къарум къимыхьами, лъэпкъым Iуэхушхуэ хуэзыщIахэм ябгъэдэбгъэувэну къилэжьащ, сыту жыпIэмэ къэкIыгъэцIэхэр зэхуихьэсыныр щыстудентым игу къэмыкIамэ, а зэманым псэуа нэхъыжьхэр тIэщIэкIыу дызэупщIыни къытхуэмынэжыныр хэлът. Барэсбий хунэсащ лъэпкъыр зыхуэныкъуэ, щIэблэхэм къахуэнэну тхылъ игъэхьэзырыну. «Къахуэнэнум» щIытезгъащIэр къэкIыгъэ, псэущхьэ, мазэцIэ, тхьэмахуэм и махуэцIэхэр, бжыгъэхэр, нэгъуэщI куэдри урысыбзэкIэ жытIэ дызэрыхъуарщ. Псалъэм папщIэ, мятэ, ромашкэ жыдоIэ, бэрэтIинэ, шынэ-шынэ адыгэ фIэщыгъэхэм дыщыгъуазэкъыми. Хэт абы щхьэкIэ дгъэкъуэншэнур, сабий садым къыщыщIэдзауэ колледжхэмрэ университетхэмрэ щыщIэкIыжу щIэблэр адыгэ дунейм хэзыгъэгъуазэу яджымрэ зэхрагъэхымрэ мащIэ дыдэмэ. ГъэщIэгъуэнтэкъэ, лъэпкъыр щыпсэу щIыпIэм щызекIуэмрэ, щызелъатэмрэ, къыщыкIымрэ цIэ фIамыщатэмэ. Апхуэдэ къэхъу хабзэкъым, ауэ нэгъуэщIым и бзэр къыщыптегуплIэкIэ, ууейр пIэщIегъэху. Абы тещIыхьауэ уеплъмэ, Барэсбий къэкIыгъэцIэхэр тхауэ къызэрытхуигъэнар фIыгъуэшхуэщ, дунейм набдзэгубдзаплъэу дызэрытетам, анэдэлъхубзэм и дахагъэм я щыхьэтщи. НэгъуэщI зы лэжьыгъэшхуи иIэщ мы щIэныгъэлIым. «Мылъкум ефIэкI хъугъуэфIыгъуэ. Адыгэхэм я мэкъумэш, ботаникэ щэнхабзэр» — аращ 2002 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIам фIищар. Тхылъым и редактор Джэрыджэ Арсен зэрыжиIэщи, «Барэсбий хузэфIэкIащ дызэсэжауэ гу зылъыдмытэж е дызыщыгъуазэу щымытагъэххэ куэдым адыгэнэрэ адыгэгукIэ ириплъэжу ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж Iэджэм адыгэпсэ къыIуигъэкIэжын». Инжыджышхуэрэ Инжыдж ЦIыкIурэ я Iуфэхэм Iус адыгэ жылэхэм язщ Хьэкъуныр къыщалъхуа Хьэбэз къуажэр. ТхакIуэ, усакIуэ, журналист, сурэтыщI, щIэныгъэлI куэд къыдэкIащ мы адыгэ къуажэхэм, дэтхэнэ зыми фIыщIэ жыг хуэфащэу. Абыхэм ящыщу щым я бюст ирагъэуващ Хьэбэз къуажэм и зыгъэпсэхупIэ жыг хадэм. Ахэр Шыбзыхъуэ МутIалиб, МыкIытIэ Щыхьымбий, Хьэкъун Барэсбий сымэщ. Япэр райисполкомым щиунэфэщIам хузэфIэкI къигъэнакъым цIыху-хэм я щыIэкIэ-псэукIэр иригъэфIэкIуэным теухуауэ. МыкIытIэр Хэку зауэшхуэм хэтащ лIыгъэ игъэлъагъуэу. Барэсбийщи — абы и щIэныгъэмрэ лъэпкъым хуилэжьыфамрэ щапхъэу къэнэн хуейуэ къызэралъытар гуапэщ. Барэсбий и тхыгъэхэм зи гугъу щищIу щыта гуэр иджыблагъэ слъэгъуат Сочэ телевиденэм и «ХъыбарыщIэхэм» хэту. Пэжыр жысIэнщи, уадыгэ дэнэ къэна, сыт хуэдэ лъэпкъыу ущытми, уи гур зыгъэузын теплъэгъуэт ар. «Черкесская груша» — аращ фIащар а теплъэгъуэм, зи гугъу ящIри Аибгъэ къуажэм и кхъужьей жыг хадэрщ. «Русское географическое общество» жыхуаIэм Сочэ щиIэ къудамэм и IэщIагъэлIхэм крайм и унафэщIхэм гу лърагъэтэну яужь иту аращ кхъужь лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэныщэр къегъэлын, зыкъегъэужьыжын зэрыхуейм. Ар щIэщIапхъэри селекционерхэмрэ тхыдэтххэмрэ я псалъэ жегъэIэн, щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм ебгъэлъагъумэ яфIэгъэщIэгъуэныну зы щIы Iыхьэ къэгъэщIэрэщIэжын хуейуэ къалъытэри аращ. Уеблэмэ къыхагъэщащ, европей кхъужьIэрысэ куэдым къежьапIэ яхуэхъуар хы ФIыцIэ Iуфэ ираша кхъужь лIэужьыгъуэрауэ жаIэри. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт, илъэси 150 — 200, уеблэмэ нэхъыбэж зи ныбжь кхъужьейхэр иджыри зэфIэтщ, хэзысахэм къатехьа лейр цIыхуцIэ зиIэм щамыгъэгъупщэныр къалэн зыщащIыжам хуэдэу. Сэ фIыуэ сцIыхуу щытащ Барэсбий, шэч къытезмыхьэу жысIэфынущ: дунейм фIыгъуэу тетым нэхърэ нэхъ къищтэнт адыгэхэм, абазэхэм, абхъазхэм я IэкIэ ирагъэфIэкIуа кхъужь лIэужьыгъуэхэр лIэщIыгъуэхэм къыпхызыха жыгхэм я гугъу зэращIа къудейр зэхихыну. Губзыгъэм гурыгъуази (интуиция) иIэщ. Барэсбий езыр цIыху гъэсат, и гур зыхуеIэр захуагъэрэ дахагъэти, и фIэщ хъурт дапщэщми зэ мы жыгхэм цIыхухэр зэрыхуеплъэкIыжынур. Ди зэманым псори нэхъ зытращIыхьыр зыплъыхьакIуэхэр здашэн щIыпIэ «къагъуэтыжын» е IэрыщIым къыхагъэхъуэнращи, хужыпIэн бгъуэтынущ цIыхум и зэфIэкIымрэ тхыдэмрэ щызэхэшыпсыхьа мы жыг хадэм. Ширдий Маринэ. Хьэкъун Барэсбий Хэкужь жыг хадэхэр Адыгэ лъэпкъым жыг Iэрысэ жыг хадэ къэгъэкIынымкIэ, зехьэнымкIэ зи пщэ умыкIуэжыфын, илъэс мин бжыгъэ зи ныбжь къекIуэкIыкIэ иIэщ. Ар къызыхэкIар, япэрауэ, езы лъэпкъым илъэс мин куэдкIэ и Хэкужьу Кавказ Ищхъэрэр имыбгынэу, хамэ къатегуплIэмэ, япэщIэтыфу, захимыгъэшыпсыхьу къызэрекIуэкIарщ. ЕтIуанэу, ди Хэкужьыр жыг, гъурц зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къызэрымыкIуэу бейти, абы хэпсэукIыурэ, а илъэс мин бжыгъэ куэдыр къакIуащ адыгэхэм. Ещанэу, адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ зэрахьа мажусий диным къигъэуву щытагъэнущ ди цIыхухэр къэкIыгъэхэм, жыгхэм, жыг Iэрысэхэм, дин IуэхукIэ, культ IуэхукIэ зэрыбгъэдэтар. Мы гупсысэм и щыхьэтщ Дж. Фрэзер и тхылъ «Магия и религия» жыхуиIэм щитхыр: «Адыгэхэм къызэралъытэмкIэ, кхъужьейм Iэщхэр къехъумэ. Абыхэм мэзым деж кхъужьей жыгыщIэ къыщыпаупщIырт, ухъуэнщIауэ къахьырти, тхьэ пэлъытэу унэм щаIыгът. Дэтхэнэ зы унагъуэми апхуэдэ кхъужьей иIэщи, ар бжьыхьэм, махуэ лъапIэм ирихьэлIэу, унэм щIахьэ, гуфIэгъуэ гуо макъымрэ пшынауэ макъымрэ ягъэшу, ар зэрыщIахьэр яхуэмахуэну хъуахъуэхэурэ. Пхъэм шэху уэздыгъэхэр палъэ, и щхьэпэм кхъуей кIэращIэри, и хъуреягъыр къафыхь, уэрэд жаIэ, йошхэ, йофэ. Ар зэфIэкIауэ кхъужьейр унэм къыщыщIахыжкIэ псори къыкIэлъыщIокI. ИужькIэ гъущапIэм щIагъэувэри, етIанэгъэ бжьыхьэ пщIондэ щаIыгъ…». Хъан-Джэрий хэхауэ тетхыхьауэ щытащ Фрэзер зи гугъу ищIа бжьыхьэ махуэ лъапIэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, а махуэр зыхуагъэлъапIэу щытар мэкъумэшым и тхьэ Созрэщт. Хъан-Джэрий зэритхыжымкIэ, кIахэ адыгэхэм гъавэр кърахьэлIэжа нэужь, а махуэр зэрагъэлъапIэу щытар мыпхуэдэущ: «ХьэмкIутIейкIэ зэджэ жыгым и пхъэ, къудамэ кIэщIу блы тету, дэтхэнэ адыгэ унагъуэми и гуэным щехъумэ. Созрэщ и пшыхьыр къызэрихьэу (гъавэр Iуахыжа нэужь), унагъуэ къэс зэхуосыжри, хьэмкIутIей пхъэр гуэным къыщIах, къахьри унэ утыкум ирагъэувэ, къудамэ кIэщIхэм шэху уэздыгъэ палъэри, щхьэмцIэу тхьэ йолъэIухэр». Апхуэдэ щытыкIэхэр куэду зэхэту и лъабжьэщ адыгэм и жыг Iэрысэ, жыг хадэ гъэкIын, зехьэн щэнхабзэшхуэм. ИпэкIэ дыкъызэрытеувыIащи, а щэнхабзэшхуэр убгъуауэ къыхощ адыгэхэм я нарт хъыбарыжьым икIи лъэпкъым и эпосым пщIэшхуэ щыхуещI санэм (виноград), мыIэрысэм, кхъужь Iэрысэм. Ауэ лъэпкъым и жыг хадэ гъэкIыкIэм, зехьэкIэм тхылъым мащIэущ узэрыщрихьэлIэр. А мащIэхэм ящыщщ ботаник Медведев Я. С. 1889 гъэм Тифлис къыщыдигъэкIа «Деревья и кустарники Кавказа» тхылъыр, Абрамов Я. и «Кавказские горцы» тхылъыр, Мичурин И. В. адыгэ жыг хадэхэмрэ жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэмрэ щытепсэлъыхь тхыгъэхэр, профессор Тхьэгъущ Нухь и тхылъхэмрэ и тхыгъэхэмрэ. Абы къыхэкIыуи жыг хадэ гъэкIыным пыщIа ди щэнхабзэм щыгъуазэр цIыху мащIэ дыдэщ. Уеблэмэ жыг Iэрысэ гъэкIыным адыгэхэм хащIыкI щымыIэу, урысхэм абы дыхурагъэсауэ жызыIэ щIэныгъэлIхэри къытхокI. Ауэ Iуэхум и пэжыпIэр жыпIэнумэ, пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыгхэр хъумэн, абыхэм якIэлъыплъын хабзэр адыгэхэм къазэрыдекIуэкIрэ куэд зэрыщIам шэч къытепхьэ хъунукъым. Абы и IуэхукIэ, хъыбарыжьхэм къыщымынауэ, ятхыжауэ къэнахэми урохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, адыгэхэр Истамбыл щрагъэкIа лъэхъэнэм псэуа, адыгэ псэукIэм щыгъуэза, я мэкъумэш, жыг Iэрысэ гъэкIын щэнхабзэ лъагэр зи нэрылъэгъуа Абрамов Я. узэрыгушхуэ хъун куэд итхыжащ. Абыхэм ящыщщ адыгэхэм я жыг хадэхэм, мэзхэм хуэдэу, къуакIи тафи яуфэбгъуу зэрыщытар, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм хуэгъэзауэ абы итхауэ «Лъэпкъ ботаникэ щэнхабзэр» Iыхьэм дызыщытепсэлъыхьар. Адыгэ лъэпкъышхуэр зэрыраулъэпсыкIар, абы и мэкъумэш, жыг Iэрысэ гъэкIын щэнхабзэ лъагэр къызэрагъэсэхыжар зи нэгу щIэкIа лIы губзыгъэм игу, ил мыузу къэнакъым икIи мыпхуэдэ псалъэхэр итхыжыгъащ: «Япэм бгырыс куэд щыпсэуа щIыпIэхэр иджы нэщIщ, къэзакъхэм къахуэгъэсэбэпыркъыми. КъызэрыщIэкIымкIэ, къэзакъ цIыхухэр бгылъэ щIыпIэм зыкIи тегъэпсыхьакъым икIи тепсэухьыфыркъыми, Урысей къэралым ахъшэ къахуиутIыпщыну къыхудохуэ ахэр зэтриIыгъэн щхьэкIэ… 1868 гъэ закъуэм Кубань (Псыжь) областым деж зэрыщымыпсэуфым, щIым зэрытемылэжьыхьыфым къыхэкIыу къэзакъ станицэ 12 зэбграутIыпщыкIыжауэ щытащ… Мы щIыпIэхэу иджы урысхэр зыщымыпсэуфым япэм адыгэхэр куэдыкIейуэ щыпсэурт, щIым фIы дыдэу, фейдэ яIэу елэжьырт. Адыгэхэр хэкум ирахуа нэужь, япэм губгъуэ, мэкъупIэ хьэлэмэту щытахэр банэкIэ зэщIэкIэжащ икIи хэкIуэдэжащ. Жыг Iэрысэ, жызумей хадэ беищэхэр мэзу зэхэкIэжри кIуэдыжащ. Ауэ иджыри къэс бгылъэ джабэхэм къыщыкI жызумейхэмрэ адыгэм и архитектурэ къызэтенахэмрэ щыхьэт тохъуэ мы хэкум псэукIэшхуэ зэрыщыIам икIи а щIыдэлъху цIыхухэр къызэрымыкIуэу лэжьакIуэшхуэу зэрыщытам». Мыпхуэдэ тхыгъэхэмкIэ Абрамовым къэзакъ станицэщIэ яухуахэм дэсхэр къыхуриджэрт адыгэ жыг гъэкIыкIэм, мэкъумэш щэнхабзэ лъагэм и лIэужьхэр хьэрэм щIын, гъэкIуэдыпэн зэрыхуэмейм. АрщхьэкIэ пащтыхь унафэкIэ къагъакIуэу ди Хэкужьым кърагъэтIысхьа урыс цIыхухэр зыкIи хуэхьэзыртэкъым адыгэ жыг Iэрысэ гъэкIын, мэкъумэш зехьэн щэнхабзэм кIэлъыплъу, зыхалъхьэу я гъащIэм къыщагъэсэбэпыну. Уеблэмэ пащтыхь унафэщIхэм урыс цIыхухэр а щэнхабзэр Iумпэм зэращIыным, зэрагъэкIуэдыпэным къыхураджэрт. Абрамов Я. «ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм» гупсэхуу щытопсэлъыхь джабэ нэкIухэр, къуакIэбгыкIэхэр ягъэзахуэурэ жызумей хадэхэр, жыг хадэхэр, гъавэ щIапIэ, мэкъупIэ хъарзынэхэр адыгэхэм къызэрагъэпэщу зэрыщытам. Апхуэдэ бгылъэ къуейщIейхэр бгъэзахуэурэ къэбгъэсэбэпын щхьэкIэ къызэрымыкIуэу къаруушхуэ лъэпкъым къуэлъын, щIым зэрелэжь Iэмал куэд зэхэбгъэкIыфын, лIэщIыгъуэ куэд зи ныбжь щIэныгъэрэ щэнхабзэрэ уиIэн хуейщ. Джабэ нэкIухэр, къуакIэбгыкIэхэр гъэзэхуауэ жыг хадэ, жызумей хадэ, гъавэ щIапIэ щIын Iуэхугъуэр (урысыбзэкIэ — террасное земледелие, террасное садоводство) дуней псом цIыхум и щэнхабзэ нэхъыщхьэ дыдэхэм щыхабжэ. Ди лъэпкъ гурыхуэм апхуэдэ щэнхабзэ щэджащэ зэрыбгъэдэлъар дэзыгъэлъагъуж тхыгъэжьхэм я уасэр дэркIэ мылъытэщ. А псом нэмыщIыжу Абрамовым и тхыгъэхэр тхыдэ тхылъщ, «щэнхабзэ диIакъым» жаIэу зигурэ зи щхьэрэ зэбгъэж, адыгэ щэнхабзэ псом и IуэхукIэ тегъэщIапIэншэу зыкъэзылъытэж куэдым я дежкIэ гузэрыгъэубыдыжщ. Сэ сызэригугъэмкIэ, «террасэ щIын» мыхьэнэр адыгэбзэм деж къыщагъэлъагъуэ «тIыгъэ», «щIыпкIэлъей» псалъэхэм. Псалъэм папщIэ, Хьэбэз къуажэм и Iэхэлъахэм щыIэщ «Къамбот и тIыгъэ», «ЩIыпкIэлъей» я цIэу щIыпIэ. Езы джабэми щIы гъэзэхуа куэд кIэрылъщ. Адыгэхэр щIым зэрелэжьу щытам и лъэужьщ ахэр. Апхуэдэ щIы гъэзэхуахэм щIыгулъыр (гумусовый горизонт, гумус) псым къримыхьэхыу хъума щохъу, щIым елэжьыным и фейдэм куэдкIэ хохъуэ. Адыгэхэм я жыг Iэрысэ, жыг хадэ гъэкIыкIэм гу къабзэкIэ тетхыхьахэм ящыщщ ди къэралым къыщымынэу дуней псом щыцIэрыIуэ ботаникышхуэ, генетик лъэщ, академик Жуковский П. М. Иджыри къыздэсым зи лъапсэр мыкIуэдыжа адыгэ жыг хадэ, жызумей хадэ бгынэжахэр щIиплъыкIын, къихутэн папщIэ адыгэ хэкум къакIуэурэ абы мызэ-мытIэу къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ. ИкIи жыг Iэрысэ, жыг хадэ гъэкIын, зехьэн IуэхукIэ ди лъэпкъым ныбжь ин дыдэ къэзыгъэщIа щэнхабзэшхуэ, щIэныгъэ лъэщ зэрыбгъэдэлъыр гъуэзэджэу, щIимыхъумэIауэ итхыжащ. Дуней псом къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ щызиIэу къалъытэ «Культурные растения и их сородичи (систематика, география, цитогенетика, экология, происхождение, использование)» тхылъ иным ар гъунэншэу, хуэмыIуэтэжу щытопсэлъыхь адыгэхэм жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэ куэд яIэу зэрыщытам, абыхэм я фIагъым текIуэн иджыпсту зэрыщымыIэм. Сыт хуэдэ жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэм темытхыхьами, ар Iэмал имыIэу адыгэхэм я жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэм къытоувыIэри, гупсэхуу топсэлъыхь, уеблэмэ адыгэбзэкIэ абыхэм я цIэ къехь. Академик Жуковскэр апхуэдэу куууэ, гъуэзэджэу адыгэ жыг Iэрысэ, жыг хадэ гъэкIын щэнхабзэм щIытетхыхьар адыгэхэм зыгуэркIэ ягу зрезгъэхьынщ е а лъэпкъым фIагъэкIуэдар къезгъэщIэжынщ жиIэу аратэкъым, атIэ узыблэкI мыхъун, къызэрымыкIуэу щэнхабзэ лъагэти аращ, дэхуэхар IэщIыб хъумэ, кIуэдыпэмэ, дуней цIыхубэ псор зыхунэмыIэсыжыну Iуэхугъуэти аращ, жыг Iэрысэхэм я геноцентр инти аращ. Феджэт академик Жуковскэм и тхылъым къыхэсха мы пычыгъуэ щхьэхуэхэм: «Краснодар крайм къыщызэтенащ ныбжьышхуэ зиIэ Хэкужь жыг хадэхэр. Абы къыщыкI жыг Iэрысэхэр, къызэрыщIэкIамкIэ, куэдрэ псэу, гъэ къэс къызыпыкIэ лIэужьыгъуэхэщ. Адыгэ жыг хадэжьхэм я лIэужьхэр нобэр къыздэсым щыIэщ пхъэщхьэмыщхьэ къапыхухэм я жылэхэм къикIыкIыжа жыгыщIэ цIыкIухэмкIэ икIи адыгэ жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэм я генхэр абыхэм яхъумащ. Абыхэм мыкIуэдыжауэ яIэщ мыпхуэдэ щытыкIэхэр: я пхъэщхьэмыщхьэхэр хуабжьу IэфIщ, бэгъуауэ къапокIэ, пIалъэ кIыхькIэ тIыгъуэу щылъщ, езы жыгхэри куэдрэ мэпсэу». «… Мэзыжьу зэщIэкIэжа щIыпIэхэм дэшхуейхэм уащыхуозэ, жыгышхуэ зырызу е зыбжанэу зэхэту. Ахэр, мэзгъауэхэр зэрынэмысам къыхэкIыу, памыупщIу къэнащ икIи 1864, 1876 гъэхэм хэкур зрагъэбгынэу Азие ЦIыкIум яхуа адыгэхэм къащIэна мывэ къалэжь, жылэжь зэхэкъутахэм хэтщ». «Кавказым мащIэрэкъым узэрыщыхуэзэр куэд щIауэ яутIыпщыжа адыгэ жыг хадэжьхэм (иджы къызэрымыкIуэу зэщIэкIэжахэмрэ зызыхъуэжахэмрэ). Ахэр зеяхэр Азие ЦIыкIум яхуауэ щытащ. Жыг Iэрысэхэм къапыху пхъэщхьэмыщхьэхэм я жылэм къикIыкIыжа жыгыщIэхэр зэмылIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокIри, хъупхъэхэххэм (селекционерхэм) я дежкIэ узыблэкI мыхъунщ, яхуэмыгъуэтщ, мыхьэнэшхуэ зиIэщ». ИщхьэIуэкIэ дытепсэлъыхьат адыгэхэм мэз гъэкъэбзэныр, мэзым къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм нэгъэсауэ якIэлъыплъыныр зэрахабзэм. Жуковскэм а гупсысэр нэхъ егъэнахуэжыр, мэзым езыр-езыру къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэфIхэм я къудамэщIэ цIыкIухэр дагъакIэурэ мэзыр жыг хадэ ящIу зэрыщытар къеIуэтэжри. Ауэ сытми къэхъуакъым мыпхуэдэ щIыпIэ фIэщыгъэхэр: «Мейкъуапэ», «Зеикъуэ», «Пыжь- гуэн», «Меймэз», н.къ. Къуажэхэр здэщыс щIыпIэхэм мэзхэм къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр ирагъэфIакIуэурэ, езы мэзхэр ягъэкъабзэурэ жыг хадэм хуэдэу ящIу щытащ. Абрамовым адыгэхэм я «леса-сады» жыхуиIэращ мы зи гугъу тщIа фIэщыгъэхэр нобэр къыздэсым зезыхьэхэр. Хэт ищIэрэ лIэщIыгъуэ дапщэ и ныбжьми, сыт и къежьапIэ хъуами, ауэ шэч хэлъкъым зэрыхабзэфIым ди лъэпкъым сабий къащыхэхъуэкIэ хэхауэ жыг лIэужьыгъуэ хухасэу зэрыщытар: пщащэ цIыкIумэ — къыпцIей, шэдыгъуей е пхъэгулъей, щIалэ цIыкIумэ — Iэмал имыIэу кхъужьей е кхъужь Iэрысей, мей е мыIэрысей. Абы адэкIэ, сыту хабзэ дыщэу адыгэхэм къагъэщIауэ тхэлъа зи къуажэ, зи лъэпкъ къыщхьэщыжахэм, лIыгъэрэ цIыхугъэрэ зезыхьахэм фIыщIэ жыг хуагъэтIысу зэрыщытар! Жыг гъэкIыным ехьэлIа мыпхуэдэ IуэхугъуэфIхэр нобэр къыздэсым лъэпкъым и гум имыхужауэ къокIуэкI, куэдрэ уримыхьэлIэжми. Псалъэм папщIэ, цIыхум гукъинэж къащыхъуауэ щытащ Шэрджэсым и Елбыргъэн къуажэм щыщу зауэ блэкIам хэкIуэда дэтхэнэ зы цIыхуми и цIэкIэ еджакIуэ цIыкIухэм жыг зэрыхасар, «Мы жыгыр мыпхуэдэм хухаса фIыщIэ жыгщ» псалъэхэр тетхауэ. Сыт атIэ адыгэ къуажэхэм а хабзэфIыр къыщIэдмыублэжыпхъэр? Адыгэхэм къахэкIа еджахэм лъэпкъ щэнхабзэм теухуауэ нэхъыбэу гулъытэ зыхуащIу щытар IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжынырщ. Жыг Iэрысэ, жыг хадэ гъэкIын, мэкъумэш, ботаникэ, зоологие щэнхабзэшхуэу дбгъэдэлъыр хъумэным зыри пылъакъым. Жыг хадэ гъэкIынымкIэ адыгэхэм апхуэдизкIэ щэнхабзэ лъагэ яхэлъащи, ар къэптIэщIыжыну ухежьэмэ, зылI къарур хуабжьу мащIэнущ, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институткIэ е щIэныгъэлI гупкIэ еувэлIэн хуейщ. Армырами зэман куэдыIуэ блэкIащ мы Iуэхугъуэм теухуауэ адыгэ еджагъэшхуэхэм «Iым» зэрыжамыIэрэ. Черкесск, Налшык, Мейкъуапэ дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм апхуэдэ щыIауи ямыщIэм хуэдэщ. А щэнхабзэшхуэ-тхыдэшхуэу яхь-яшхым хэкIуэдам и кIамэлъамэ къэнэжахэр, щIэныгъэлIхэр дызэбгъэдэувэу, дызэдэIэпыкъуурэ сэтей къэдмыщIыжмэ, лъэпкъым къытхуимыгъэгъун щIэщхъущ. Урыс-Кавказ зауэшхуэм щыгъуэ Хэкужьыр зрагъэбгынауэ щыта адыгэхэм къащIэна къуажэ щысыпIэхэр мэзыжьу зэщIэкIэжауэ ноби уахуозэ. Абыхэм деж, дэ къытпэплъэ, къэдгъэщIэрэщIэжыну къытщыгугъ хуэдэ, жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэм, жыг хадэжьхэм нобэр къыздэсым мыкIуэдыжыпауэ зыщаIыгъщ. ПхужыIэну пIэрэ а Iуэхум пэлъэщын щIэныгъэрэ мылъкурэ адыгэм димыIэу. Тхуримыкъур абы дызэрыпэщIэувэн зэхэщIыкIрэ ерыщагърэщ. Лъэпкъым и блэкIам, щэнхабзэ бгъэдэлъам щIэблэр щIэтпIыкIыфмэ, ахэр нэхъ гъэса хъунт, лъэпкъ гупсысэмрэ лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ нэхъ заузэщIынт. Эдмонд Спенсер Адыгэ Хэкужьым тIэунейрэ къэкIуэгъауэ щытащ — зэм Кърымым къикIыу, етIуанэм хы ФIыцIэ гъуэгукIэ Тыркум къикIыу. Абы зригъэлъэгъуащ хэгъэгухэу Шапсыгъыр, Убыхыр, Нарткъуажэр, КIэмыргуейр, Абазэхэр. НэIуасэ захуищIауэ щытащ абыхэм щыпсэу адыгэ лIакъуэхэм я псэукIэ-щыIэкIэм, я хабзэм, я шыгъэ-лIыгъэм, я щэнхабзэм, уеблэмэ мэкъумэш, Iэщ зэрызэрахьэм, жызумейхэмрэ жыг хадэхэмрэ къызэрагъэкIым. Урыс-Кавказ зауэ лъэхъэнэм Хэкум къихьэ урыс къэхутакIуэхэм, тIасхъэщIэххэм сыт щыгъуи зэрахуэр бгырысхэр зэрагъэулъиин Iуэхут, абыхэм я нэхъыбэм адыгэхэм мэкъумэш лэжьыгъэ лъэпкъ зэфIамыхыу, хъунщIэнрэ дыгъуэнрэ фIэкIа Iуэху зэрамыхуэу жаIэрт. Ар зэрыпцIыр Европэм щыпсэу цIыхухэм яхуиIуатэу Спенсер мыпхуэдэу итхащ: «Дэ дытепсэлъыхьыфынущ а пцIыр къыщIэзыгъэщ щытыкIэхэм. Сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ Адыгэ Хэкум (Черкесием) укъыщимыхьами — е Тыркум, е а езы Урысей дыдэм укъикIыу, зэуэ уи гуапэ мыхъуу къанэркъым цIыхухэм я шыфэлIыфэр, мэкъумэшыр, Iэщ хъушэхэм я теплъэр мыбдежым зэрыщынэхъыфIыр. Къуажэхэр псыхъуэхэмрэ аузхэмрэ дэсщ. Абыхэм дэт унэхэр инкъым, ауэ къабзэлъабзэщ, щхъуантIагъэм щIигъэнащи, я теплъэр къызэрымыкIуэу дахэщ. Япэ дыдэу тафэ лъэныкъуэмкIэ Хэкум сыщихьам дунейм и теплъэмрэ цIыхухэм я щытыкIэмрэ сэ сызэрыгугъам нэхърэ куэдкIэ нэхъ дахэу къыщIэкIащ. Дэ зэхэтхыу щытам — цIыху хьэкIэкхъуэкIэхэр гупурэ здыщызеуэ къуакIэбгыкIэ нэщIхэм я пIэкIэ, къызэрыщIэкIамкIэ, мы Хэкум и нэхъыбэр гъуни нэзи зымыIэ, зыр зым кIэлъыкIуэ мэкъумэш губгъуэ бейхэщ е цIыхур зытелэжьыхь джабэхэщ. ЦIыхухэм дэнэ щIыпIи сыщахьэхурт Iэдэбагърэ гъэсэныгъэрэ зэрахэлъымкIэ, я хабзэ дахэмрэ хьэщIагъэ къызэрыдахымкIэ… ЦIыхум къамыгъэсэбэп зы щIы Iыхьэ цIыкIуи мыбы ущрихьэлIэнукъым. Мэл, бжэн, хыв хъушэхэр, шы гуартэхэр щагъэхъурт хъупIэ щхъуантIэ дахэхэм». Эдмонд Спенсер мызэ-мытIэу къытригъэзэжурэ цIыхухэм, лъэпкъхэм я пащхьэ ирелъхьэ адыгэхэр цIыкIуи ини зэрылэжьакIуэшхуэр, мэкъумэш щIэным, Iэщ, шы гъэхъуным IэкIуэлъакIуэу зэрыпылъыр. Абы зэрыжиIэмкIэ, адыгэхэм хуэдэу шы фIыуэ зылъагъу, узыфIэмыкIыжыну зыгъэсэф, шыр зейм и унафэхэр игъэзащIэу зезыгъэкIуэф зы лъэпкъи дунейм тетакъым. Ахэр псори лъэпкъым и щэнхабзэшхуэм щыщащ. Спенсер Адыгэ Хэкужьым нэхъ жыжьэу щихьам щыгъуэ илъэгъуахэм аргуэру зэ къыщытеувыIэжащ и тхылъым, адыгэхэм я псэукIэр, я мэкъумэш, Iэщ зехьэкIэр, жыг хадэ гъэкIыкIэр, я хабзэр нэхъ щыпкъагъ хэлъу дуней псом яригъэлъагъун щхьэкIэ: «Сэ иджыпсту Хэкум икуу къэплъытэ хъунум сынэсащи, абы сызэрытетхыхь щIыкIэр нэхъ тэрэзын хуейщ. Пэжщ, сэ сызэрыщыгуфIыкIам хуэмыдэжу хуабжьу сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ мыпхуэдэ щIыпIэ пхыдзам мэкъумэш щэнхабзэр къызэрымыкIуэу зэрыщылъагэр, гъавэхэкIхэмрэ хадэхэкIхэмрэ зэрыщыбэвыр, сыту жыпIэмэ дэ ди фIэщ ящIат мы хэкум щыпсэу цIыхухэр иджыри къэс хьэкIэкхъуэкIэ псэукIэм тету. Мыбыхэм я унэ цIыкIухэр зэкIэлъыкIуэхэу псыхъуэ еххэм дэтт е бгы лъапэхэм кIэрытт. ИкIи ахэр я къабзагъэкIэ къакIэрыхуртэкъым тироль е швед бгырысхэм яйм. Мыбдежым зэм щыплъагъунут бжыгъэ зимыIэ Iэщхэмрэ мэл-бжэнхэмрэ, хъупIэ къэхухьахэм иту удз щхъуантIэм хъуакIуэу хэту; зэм урихьэлIэнут лIыхэми, бзылъхугъэхэми, сабийхэми мэкъумэш лэжьыгъэхэр ягъэзащIэу. Къуажэ псэукIэ дахэм дунейр зэрыдэбжьыфIэм нэмыщIкIэ, сэ мащIэкъым гукъыдэжу къызатар дыкъэзылъагъу лIыхэмрэ щIалэ цIыкIухэмрэ я мэкъумэш лэжьыгъэр къагъанэу, я фащэр щатIагъэу, Iэщэр зыпщIыхалъхьэу шууэ къытхыхьэурэ дызэрагъэкIуатэ зэпытам». УмыгъэщIагъуэу ублэкIыфыркъым Жуковскэм ди Хэкужьыр, Кавказыр жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэжь къэгъэхъупIэ щхьэхуэу зэрыщытар къызэрилъытэм, абы хьэкъыпIэкIэ зэрителъхьэм, Европей, Ику Азие къэгъэхъупIэхэм зыкIи емыпхауэ. Адыгэ кхъужь Iэрысей, мыIэрысей лIэужьыгъуэжьхэр къэгъэхъуным лъэпкъым акъылрэ гупсысэу, гуащIэрэ зэману къызэрымыкIуэу куэд тригъэкIуэдащ. Дуней псом щызекIуэ апхуэдэ Iуэхугъуэхэм емылъытауэ, езы лъэпкъым и жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэ къэгъэхъупIэу (помологический центр) щытащ Адыгэ Хэкужьыр. Ди лъэпкъым къыгуэпх мыхъуу бгъэдэлъ мыпхуэдэ щэнхабзэ IуэхугъуэмкIэ сапоув сэ адыгэхэм къалэжь-унэжьхэр къащIэнауэ яIэкъым, я щэнхабзэр лъахъшэщ жызыIэхэм. Жыг дэгъэкIэныр лъэпкъ мэкъумэш, жыг Iэрысэ къэгъэкIын щэнхабзэ нэсым и зы нагъыщэ пыухыкIащ. А Iуэхугъуэ щэджащэр ди лъэпкъым кIэрылъ фIыгъуэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр, езым и щэнхабзэ псом и зы Iыхьэу къызэрыувыр ди цIыху псоми къагурыIуэркъым. Нобэ дэ ар нэгъэсауэ зыхэдмыщIэ щхьэкIэ, адыгэхэрауэ, нэгъуэщI кавказ лъэпкъхэрауэ къалъытэ жыг дэгъэкIэныр дуней псом япэу къыщызыгупсысар. Феплъыт абы теухуауэ академик Жуковский П. М. итхым: «Адыгэхэм пасэм питомникхэр яIакъым икIи жыг дэгъэкIэныр щрагъэкIуэкIыу щытар пхъэщхьэмыщхьэ жыгыщIэхэр езыр-езыру къыщыкI щIыпIэхэм дежт, жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэфIхэр абыхэм я лъэдакъэхэм дагъакIэурэ… Хышхуэм (Средиземное море) и Iэгъуэблагъэм щыпсэу лъэпкъхэм ящыщу жыг дэгъэкIэныр псом япэу, алыджхэми япэу баскхэрат зыщIэу щытар икIи абы иберхэр хурагъэсауэ щытыгъащ. Ауэ баскхэр я къежьапIэкIэ, я лъапсэкIэ, дауи, Кавказым пыщIати, аращ абыхэм жыг дэгъэкIэныр къыздрахар. Жыг дэгъэкIэным и къэхъупIэ-къежьапIэр Кавказращ. Индием абы зыри хищIыкIыртэкъым». Жыг дэгъэкIэнымкIэ адыгэхэм хуэдэу IэкIуэлъакIуэ Кавказ псом щыпсэуакъым. Апхуэдэу зэрыщытым езым и лъабжьэ иIэжщ. Псом япэу ар къызыхэкIар, сэ къызэрыслъытэмкIэ, лъэпкъыр пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм, жыг Iэрысэхэм, мэзхэм хэпсэукIыу зэрыщытращ. Абы къинэмыщIауэ, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ зыщыпсэу Хэкужьым и климатыр, щIыгур, дунейр апхуэдизкIэ жыг, мэз кIыным къыхуэгъэщIащи, «къуацэр къипчу щхьэкIэкIэ хэпсэжми мэкI» жыхуаIэм хуэдэщ. Апхуэдэ дуней бейм цIыхухэм Iэмал имыIэу щалъагъурт жыг къудамэхэр зэлъэIэсу къэкIыурэ зэгуэкIэжауэ. Набдзэгубдзаплъэу пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм хэпсэукI цIыхухэм а дунейм езым къигъэщIа щытыкIэхэр имылъагъункIэ, зыхимыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Аращ жыг дэгъэкIэн Iуэхугъуэм и лъабжьэр ди лъахэм къыщежьауэ къыщIысщыхъур. Жыг дэгъэкIэн Iуэхугъуэм кърикIуэжащ жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэфI куэд адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэныр. Мы жысIам нэмыщIыжу ди лъэпкъым, шэч хэлъкъым, къигъэсэбэпащ илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, цивилизацэ ин зиIа лъэпкъышхуэхэм я жыг Iэрысэ гъэкIын щэнхабзэри. Псалъэм папщIэ, илъэс мин куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, шумерхэм къэкIыгъэхэм куэд хащIыкIыу щытащ икIи ахэращ къезыгъэжьар чыцIыбжьэ жыгыхъухэм я гъэгъахэм я шэжыгъэхэр (пыльца) зэхуэхьэсауэ хъумэныр, чыцIыбжьэ жыгыбзхэр щыгъагъэм деж а шэжыгъэ зэхуахьэсу яхъумахэр ятегъэщэщэныр, нэгъуэщI куэдхэри. «Хэкужь жыг хадэхэр» Iыхьэр иризухыжыну сыхуейщ адыгэ жыг хадэжь бгынэжахэм мыхьэнэуэ яIэмрэ ахэр къагъэсэбэпын зэрыхуеймрэ теухуауэ Мичуриным итхамкIэ: «Адыгэ жыг хадэжьхэр иджыри поплъэ абыхэм я мыхьэнэр къызыгурыIуэн хъупхъэхэххэм (селекционерхэм). КъызэрымыкIуэ беягъ зиIэ адыгэ жыг хадэжьхэм сэ куэд щIауэ сыщыгъуазэщ. Адыгэ Хэкум мэзу щызэщIэкIэжа жыг Iэрысэ, гъурц Iэрысэ къэкIыгъэхэр уасэ зимыIэ хъупхъэ къыхэхыпIэщ Кавказым щыIэ хъупхъэхэххэм я дежкIэ. Ауэ ар, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зыкIи къагъэсэбэпыркъым. Мы Iуэхугъуэр зэрырамыгъэкIуэкIым къыхэкIыу зэгуэри къыумыгъуэтыжыфыну Хэкум фIэкIуэдынкIэ шынагъуэщ дуней псом зэбгъэпщэн щымыIэу хъупхъэ хьэлэмэт хъун жыг Iэрысэ лъэпкъхэр. Сэ си гуапэнут а жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэм я фIагъымрэ щытыкIэмрэ IуэрыIуатэу мыхъуу, щIэныгъэ хабзэм тету щIэныгъэлIхэр тетхыхьатэмэ. А тхыгъэхэм хъупхъэхэххэр къыхураджэнут хъупхъэхэхын лэжьыгъэр зэхэублэн зэрыхуейм. Сэ къызолъытэ абы папщIэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр гъэзэщIэн хуейуэ: ЩIэныгъэ лъабжьэ быдэ зиIэ экспедицэ къызэгъэпэщауэ Адыгэ Хэкум щыIэ жыг хадэ бгынэжахэм гъэкIуэн, жыг Iэрысэ нэхъ лIэужьыгъуэфIхэмрэ нэхъ гъэщIэгъуэнхэмрэ гъэнэхуауэ тетхыхьын щхьэкIэ, хъупхъэхэр къыхэхауэ жыг хадэщIэхэм къыщагъэсэбэпын папщIэ. Нэхъ мыхьэнэ зиIэ жыг хадэжь бгынэжахэр заповедникыу къэлъытэн икIи щIэныгъэ нэсыр и лъабжьэу ахэр къэгъэсэбэпын щIэдзэжын. Убгъуауэ Кавказым къыщагъэкIын хъупхъэхэр къыхэха хъун папщIэ жыг IэрысэгъэкI технологие убзыхун, бгыщхьэ лъагэхэм къыщыкI жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэр Совет Союзым и нэгъуэщI хэгъэгухэм нэгъэсын (Кърымым, Украинэм, Белоруссием, Ику Азием). Псом хуэмыдэу гу лъытэн хуейщ щхъуэмчжыгхэмрэ дэшхуейхэмрэ. Мис апхуэдэущ къызэрыщIэдзэн хуейр Адыгэ Хэкум и беягъышхуэу жыг хадэ бгынэжахэр къэгъэсэбэпыныр. 8. XII. 1934 гъэ». ЖыпIэ хъунукъым Мичуриным 1930 гъэхэм гу зылъита Iуэхугъуэхэм щIэныгъэлIхэр темылэжьыхьауэ. Къэхутэныгъэ ирагъэкIуэкIын щхьэкIэ мызэ-мытIэу экспедицэхэр Хэкужь жыг хадэхэм къэкIуауэ щытащ. Апхуэдэ экспедицэхэм академик Жуковский П. М. зыбжанэрэ хэтащ икIи Хэкужь жыг хадэхэм, адыгэ жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэм тетхыхьыжащ. Тхьэгъуш Нухьи дунейм тетыхукIэ Хэкужь жыг хадэ Iуэхущ нэхъыбэу зэрихуар. АрщхьэкIэ а щIэныгъэлI нэхъыжьхэм яхузэфIэмыкIыж хъууэ Iуэхум щыпэрыкIыжым, абы зэхаубла лэжьыгъэр адэкIэ зыгъэкIуэтэн, псэемыблэжу Хэкужь жыг хадэхэм пылъын щIэблэ къызэгъэпэща хъуакъым. Абы къинэмыщIауэ, апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ егъэкIуэкIыныр къэрал программэу щыщымыткIэ, абы хуэунэтIа ахъшэмрэ мылъкумрэ къыщамыутIыпщкIэ, дэтхэнэ зы щIэныгъэлIми хузэфIэкIынур мащIэщ, сыт хуэдизу гу хьэлэлкIэ лэжьыгъэм бгъэдэмытами. Мис апхуэдэ щхьэусыгъуэхэм къыхэкIыу иужь илъэс пщIы бжыгъэхэм Хэкужь жыг хадэхэр бгынэжыпа хъуащ. Ауэ иджыри угугъэ хъунущ кIасэ дыдэ мыхъупэ щIыкIэ мы Iуэхум еувэлIэн ди щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм къахэкIыну. Тхыгъэр гъэкIэщIауэ къыхэтхащ «Мылъкум ефIэкI хъугъуэфIыгъуэ. Адыгэхэм я мэкъу-мэш, ботаникэ щэнхабзэр» тхылъым.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100256.txt" }
Сабийхэм я унэтIакIуэхэр утыку къохьэ Ди къэралым илъэс зыбжанэ лъандэрэ къыщызэрагъэпэщауэ щыIэщ, Iуэхугъуэ купщIафIэхэри щызэфIех «Гъуэгугъэлъагъуэхэм я зэгухьэныгъэм» («Лига вожатых»). Зи лэжьыгъэр езыгъэфIэкIуэну хущIэкъу егъэджакIуэ, гъэсакIуэ, сабийхэм ядэлажьэ нэгъуэщI IэщIагъэлI ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм я зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр еунэтI УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм къепха, ШколакIуэхэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм (РДШ). Абы къыхилъхьауэ иджыпсту йокIуэкI вожатэхэм я къэралпсо зэпеуэ зэIуха. Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэт хъунущ курыт, пэщIэдзэ школхэм, сабий гъэсапIэхэм, ныбжьыщIэхэм щадэлажьэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр, студентхэр. Iыхьэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ екIуэкIыну зэпеуэм абыхэм щагъэлъэгъуэнущ ябгъэдэлъ зэфIэкI зэмылIэужьыгъуэхэр: дерс зэIухахэр ятынущ, веб-семинархэр ирагъэкIуэкIынущ, адэкIэ я мурадхэр къыщагъэнэIуэнущ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зэпеуэр ипэжыпIэкIэ мэхъу егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр я Iуэху зехьэкIэ пэрытымкIэ, я пщэрылъ Iуэхухэр зэрызэфIах мардэщIэхэмкIэ щызэдэгуашэ утыкушхуэ. Гъэ къэси хуэдэу, ди республикэм и егъэджакIуэ, гъэсакIуэ ныбжьыщIэхэр, пединститутхэм я курс нэхъыжьхэм щеджэ студентхэр, хэтынущ къэралпсо зэпеуэм. Зи къарурэ зэфIэкIрэ еплъыжыну гукъыдэж зыщI IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я лъэIу тхылъхэр 2021 гъэм и фокIадэм и 15 пщIондэ ягъэхь хъунущ вожатый.рф. Интернет сайтым. Абы нэхъ зэпкърыхауэ итщ урысейпсо утыкум уихьэфын папщIэ, зэбгъэпэщын хуей дэфтэрхэмрэ тхылъхэмрэ. Зэпеуэм къыхэжаныкIхэм Iэмал яIэнущ УФ-м и еджапIэ нэхъыфIхэм, цIэрыIуэхэм зыпащIэу ябгъэдэлъ зэфIэкIхэр нэхъри ирагъэфIэкIуэну, егъэджэныгъэ курс хэхахэр къаухыну. КЪАРДЭН Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100265.txt" }
Сытхэр уи псэукIэ, си жылэжь? ЗэхъуэкIыныгъэ инхэм я лъэхъэнэм псоми къыщыщIидзэр гъуэгурщ. Дытхьэусыхэурэ десащи, дэ, псом хуэмыдэу 90 гъэхэм щыIахэр зи нэгу щIэкIахэм, языныкъуэхэм деж гу лъыттэхэркъым ди гъащIэм фIы и лъэныкъуэкIи зэрызихъуэжым, щIэ гуэрхэр къызэрыхыхьэм. Псалъэм и хьэтыркIэ, мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым зы къуажи щыIэу къыщIэкIынкъым псэуныгъэм ехьэлIауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ ухуэныгъэ щемыкIуэкIыу: ар гъуэгу, еджапIэ, дохутыр IуэхущIапIэ ирехъу. Лэжьы- гъэхэр зы махуи щыувыIэркъым. — Угъурлыуэ икIи и чэзу дыдэу къыкъуэкIащ лъэпкъ проектхэр,- жеIэ Бахъсэн районым щыщ Куба къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Шыкуэ Хьэсэн — абыхэм я акъужь щIэщыгъуэр щызыхыбощIэ ди гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым. Ар къэбгъэлъэгъуэфынущ ди къуажэм и щапхъэмкIэ. Сэ абы и псалъэхэм зыкъомкIэ щыхьэт сытехъуэфынущ, Налшык сыщылажьэми, мы къуажэм сыщопсэури. Хабзэшхуэрэ нэмысышхуэрэ дэлъу икIи ефIакIуэу щыта Куба, СССР-р лъэлъэжа нэужь «хокIуэдэж» жыхуаIэм хуэкIуат: ежэри, колхозыр ягъэлъэлъэжат, цIыху 3000-м нэсым лэжьапIэ къезыт вакъэ фабрикэри зэхуащIыжат, «хуэмеижу» къыщIэкIри — ар зэманым къезэгъ лъэщагъкIэ зэраузэдын къару ябгъэдэлътэкъым. Къуажэдэсхэр зэплъыжу къэнат, ящIэнур ямыщIэжу. Апхуэдизу щхьэлажьэ хъуати, уеблэмэ гу лъатакъым ЩэнхабзэмкIэ унэ зэрамыIэжым. Зэрызэрамыхьэжым и зэранкIэ ар къызэтещэхат. Мыгувэу абы и махуэр къахуэкIуэу хуежьащ вакъэ фабрикэм и унитIымрэ зэгуэр зэрыгушхуэу щыта музеймрэ. Ауэ хэтыт а псор къызыфIэIуэхур? Апхуэдэурэ екIуэкIащ. Куба яхэхуакъым зи насып къикIахэм. А зэманым къыщыхъуахэм ящыщу мыбдеж къыщыдгъэлъэгъуэфынур колхозым иIыгъа гъавэщIапIэхэр къэунэхуа фермерхэм зэраIэщIыхьарщ. Ауэ ар, зэрыгурыIуэгъуэщи, къуажэдэсхэр зыщыгуфIыкIахэм ящыщакъым. Пэжщ, жьыр здэщыта щIыпIэ дыдэм Щэнхабзэм и унэщIэ дэгъуэ къихутэжащ Къанокъуэ Арсен и тетыгъуэм. Абы къыдэкIуэу вакъэ фабрикэу щытам и унитIым языр къыпхуэмыцIыхужыну зэрагъэпэщыжат, хуэмыщIа унагъуэхэм я сабийхэр пIалъэкIэ щапI хэщIапIэ къыщызэIуаха хъуат (мы зэманым ар псантхуэ уз зэфыкIхэм щеIэзэ сымаджэщым и къудамэщ). НэгъуэщI зэрызыщытхъужын къуажэм иIэтэкъым. — Куэдрэ дызыпэплъа зэхъуэкIыныгъэхэм къежьапIэ яхуэхъуар «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектырщ, — жеIэ Шыкуэм. — Ар гъэзэщIэным ди республикэм яужь зэрыщихьэу Кавказ гъуэгушхуэм къыхэкIыу километр 13-кIэ ди деж къакIуэ къудамэм асфальтыщIэ Iуву тралъхьэжащ. Абы и фIагъыр уэри, дауи, бгъэунэхуащ. Хьэсэн и псалъэхэм сэ щыхьэт сытехъуэфынущ. Илъэс зыбгъупщI хуэдиз хъуауэ псалъэмакъ екIуэкIырт мы Iуэхум теухуауэ. Гъуэгушхуэм къытекIрэ къыдадзыхмэ, рулым дэсхэр гъэунэхуныгъэ мытынш ихуэрт: автомашинэхэм къыпакIухьын хуей хъурт кумблъэмб бжыгъэншэхэм. Ахэр илъэс къэс ядыжырт, ауэ уэшх къызэрешхыу е уэс къызэресу зэрыщыта хъужырт. Кубарэ Псыхъурейрэ (зи гугъу тщIы къудамэр иужьрейми ейт) щыпсэухэм хуабжьу ягу къеуэрт, я гугъуехьхэр щхьэщахыну къызэрагъэгугъэри я фIэщ хъуртэкъым. Километр 13-мкIи Iуэхур зэфIэкIакъым, къуажэри, уеплъмэ удихьэхыу, къагъэщIэрэщIэпащ, иджы нэхъ уэрам кIыхь дыдэм, Къалмыкъым и цIэр зезыхьэм, абы ещхьыркъабзэу йолэжь. Мыгувэу трактор, экскаватор лажьэхэм я макъ къыщыIуу хуежьащ Балъкъ бжьэпэм: абы тет сабий садым и унэшхуэм яслъэ къыпащIыхьу арат. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ ирагъэжьа а ухуэныгъэр пIалъэ кIэщIым зэфIагъэкIащ. Яслъэр сабий 40-м хуащIащ, зи ныбжьыр мази 3-м къыщыщIэдзауэ илъэси 3-м нэсхэр къызэщIиубыдэу. IуэхущIапIэр къызыхуэтыншэу зыхуей псомкIи къызэгъэпэщащ — лэжьакIуэхэмкIи IэмэпсымэхэмкIи. Абы IэнатIэр зэпищIэнущ яслъэ-сад еджапIэ хабзэм тету. Хъарзынэщ, ауэ, ди гуапэ зэрыхъуащи, мыр проектым и щIэдзапIэ къудейуэ къыщIэкIащ. Нобэ-пщэдей кърагъэжьэнущ кхъухьлъатэзехуэ хахуэ ТхьэкIумащIэ Андулыхь и цIэр зезыхьэ школым и унэщIэр. 1937 гъэм яухуа унэр жьы хъуащ икIи зэманым зэремыкIужрэ куэд щIащ. ЯпэщIыкIэ я гугъащ етIуанэ къатыр трахыу, ар зыхуей хуагъэзэну, арщхьэкIэ текIуэдэну мылъкушхуэр зэрамыIэм зэтриIыгъащ. Иджы лъэпкъ проектыр къыкъуэкIащи, щIэ яухуэнущ: ахъшэ ирикъуу къаутIыпщащи, ухуэныгъэр къызэтеувыIэнукъым. Я сэбэп къекIащ «Узыншагъэ» лъэпкъ проектми. Абы Iэмал къаритащ къуажэ амбулаторэм и унэм цIыхухэм щеIэзэ пэшыщIэхэр къыгуащIыхьыну. УзыщыгуфIыкI хъунухэм яхэгъэхьэн хуейщ физкультурэ-спорт комплекс дэгъуэр, спортым зегъэужьыным егъэщIылIа республикэ программэм тету 2014 гъэм яухуар. И мыхьэнэр нэхъ цIыкIукъым абы и гупэмрэ ибгъумкIэ щагъэува сабий джэгупIэхэмрэ щIымахуэми къэбгъэсэбэп хъу тренажёр зэмылIэужьыгъуэхэмрэ (псори зэхэту 11 къэзбжащ). Ауэ ди псалъэр ныкъуэ хъунт езы щIыпIэр Налшык ХьэтIохъущыкъуэм и жыг хадэм и лъэс зекIуапIэхэм къакIэрымыхуу зэращIыр жыдмыIамэ. Плиткэ дахэхэр иралъхьащ, тетIысхьэпIэ тыншхэр щагъэуващ, уэздыгъэ гъэщIэрэщIахэр къащхьэщыту. Ар «ПсэупIэмрэ къалэ теплъэмрэ» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ зэфIагъэкIа лэжьыгъэхэм ящыщщ. Иджы пщыхьэщхьэкIэрэ мыбдеж я нэгу зыщрагъэужь, зыщагъэпсэху жьыми щIэми. Мы тхыгъэм къыщыдгъэлъагъуэ ухуэныгъэ псоми ахъшэшхуэ текIуэдащ — гъуэгухэм я закъуэ сом мелуани 155-рэ хуэдиз. Ауэ цIыхур, абы игъуэт гулъытэр нэхъапэщ псом нэхърэ. Фэ къывгуроIуэ Куба лэжьакIуэ куэд зыубыд IуэхущIапIэшхуэхэр зэрыдэмытыр, абы къыхэкIыуи къуажэдэсхэр IэнатIэкIэ гугъу зэрехьыр. Абы и лъэныкъуэкIэ сэбэп мэхъу лъэпкъ проектхэри программэ зэмыщхьхэри зэрагъэзащIэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, цIыху 30-м улахуэ хъарзынэ къащыIэрохьэ псантхуэ уз зэфыкIхэм щеIэзэ сымаджэщым и къудамэм, гъэ къакIуэ щIышылэм и 1-м къызэIуахыну яслъэщIэм щылэжьэнущ цIыху 12. ЗэкIэ къуажэдэсхэр къыдэзыхыжыр гъатхэм къыщыщIэдзауэ бжьыхьэр хэкIуэтэху екIуэкI губгъуэ лэжьыгъэхэм зэрыхэтымрэ я уней лъапсэхэм къыщрахьэлIэмрэщ. Куэдым хадэм зратащ, хэт Iэщышхуэ, хэти джэдкъаз егъашхэ. КIэщIу жыпIэмэ, дэтхэнэми хэкIыпIэ къегъуэт. — Лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки, ди районым и лIыщхьэ Балъкъыз Артури я нэIэ зэпымыууэ зэрытрагъэтыр дэ долъагъу, зэрыжаIэщи, махуэ къэс зыхыдощIэ, — жеIэ Шыкуэ Хьэсэн икIи пещэ. — Ар, дауи, гуапэщ, ауэ дэ езыхэм зэфIэдгъэкIыну ди пщэ къыдэхуэхэри мащIэкъым. Псом япэ изгъэщыну сыхуейт къуажэдэсхэр псыкIэ пэрыхьэту къызэгъэпэщыныр. Мы Iуэхур нэгъабэ зэрыщытам нэхърэ нэхъыфI хъуащ, къуажэдэсхэм псы цIыкIу яхуэкIуэ хъуащ, я хадэхэм щIэлъэдэну. АрщхьэкIэ Балъкъ къыхэж икIи хэлъэдэж Неволькэ (зэгуэр ГЭС-р зыгъэлажьэу щытам) и псыщхьэм IущIапIэ (дамбэ) хуэщIын хуейщи, ар ди закъуэ къарукIэ тхузэфIэкIыркъым. Апхуэдэу блэкIа лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм я зэхуэдитIым ди уэрамхэм щIалъхьа бжьамийхэр жьы хъуащи, ахэр зэтхъуэкIын хуейщ. Абы къыдэкIуэуи псы къыщIэшыпIэщIэ дубруунри къытпэщытщ. ИтIанэ псыкIэ зы гукъеуи щыIэжынукъым. НэгъуэщI лэжьыгъэхэри къытпоплъэ. Ауэ ахэр зэрызэфIэдгъэхьэфынум шэч къытетхьэжыркъым. Апхуэдэ фIэщхъуныгъэ къытхалъхьащ лъэпкъ проектхэм. Шал Мухьэмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100267.txt" }
ХадэхэкIым и уасэр къапщытэ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым бадзэуэгъуэм и 19-м къыхилъхьауэ щытащ хадэхэкIхэм ящыщу кIэртIофым, пхъым, къэбыстэм, жэгундэм, бжьыным я уасэр драмыгъэуеин папщIэ къагъэсэбэпыпхъэ Iэмалхэр. Апхуэдэу щIыналъэхэм лэжьакIуэ гупхэр къыщызэрагъэпэщащ, а Iуэхум я нэIэ трагъэтын папщIэ. «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къызэритымкIэ, республикэм мы махуэхэм щыкIэлъоплъ уасэхэр къезэгъыу зэрагъэувым. Партым Дзэлыкъуэ районым щиIэ къудамэм хэтхэм бадзэуэгъуэм и 26 — 27-хэм къапщытащ Дзэлыкъуэкъуажэ дэт тыкуэн зыбжанэ. Абыхэм ятхащ хадэхэкIхэм я уасэхэр зыхуэдизыр, апхуэдэуи сатум и лэжьакIуэхэмрэ щэхуакIуэхэмрэ епсэлъащ. Къэпщытэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, хадэхэкIыр къэзыгъэкIым игъэув уасэмрэ ахэр тыкуэным нэ- са нэужь зэращэмрэ куэдкIэ зэщхьэщокI. ЩытыкIэм зихъуэжын щхьэкIэ жэрдэм къыхалъхьащ сату зыщIымрэ хадэхэкIыр зеймрэ зэгурыIуэныгъэ зэрегъэщIылIэн хуейуэ, нэхъыбэу къагъэсэбэпхэм я уасэм тралъхьэжыр зэрагъэмэщIапхъэр къыхэщу. Шэджэм районым щрагъэкIуэкIа апхуэдэ къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, уасэхэр абдеж щызэпIэзэрытщ, щыдрагъэуей щIыналъэм къыщыхъуакъым. Районым щыпсэу нэхъыжьыIуэхэм я нэхъыбэр здэкIуэр бэзэрырщ, щIыпIэм къыщагъэкIар нэхъ къащтэри. Тэрч районми хадэхэкIхэм я уасэр бэзэрым къыщапщытащ, ныкъусаныгъэ гуэрхэр щатхакъым. Налшык къалэм лэжьакIуэ гупым хэт-хэм уасэхэр щызэрагъэпщащ «Оазис», «Пятёрочка» тыкуэнышхуэхэмрэ бэзэрымрэ. КъищынэмыщIауэ, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм къалащхьэм щызэхэт жармыкIэм щагъэув уасэхэм кIэлъыплъ зэпытщ. «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм зэрыжиIэмкIэ, лэжьакIуэ гупым хагъэхьащ бынунагъуэшхуэ зиIэ адэ-анэхэри. Мы Iуэхугъуэр сэбэп хуэхъуну щогугъ хадэхэкIхэм я уасэхэр драмыгъэуеиным. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100269.txt" }
Зыми къикIуэтыну и мурадкъым Японием щызэхэт XXXII Гъэмахуэ олимпиадэр зэрекIуэкIым, Урысейм икIахэм абы щаIэ ехъулIэныгъэхэм, ди лъэпкъэгъу-лъахэгъухэм спорт зэхьэзэхуэхэм я нэхъ лъагэм щадэтлъагъухэм адэкIэ щыгъуазэ зыдощI. Асэкъал Рустам Олимпиадэм и 11-нэ махуэр зыхуэза шыщхьэуIум и 2-м ирихьэлIэу, Урысейм икIахэм дыщэ медалу 44-рэ, абыхэм ящыщу дыщэу — 12, дыжьыну — 19, домбеякъыу — 13 зыIэрагъэхьакIэщ. Дыщэ медалхэм я бжыгъэм елъытауэщ къэралым къихь увыпIэр къызэрапщытэр. Абы ипкъ иткIэ Урысейр зы нагъыщэкIэ къеIэбыхри, зэкIэ етхуанэ увыпIэм къыщызэтеувыIащ. Медаль бжыгъэм тепщIыхьмэ, абыкIэ япэ итыр США-ращ (59), абы къыкIэлъокIуэ Китайр (51), Урысейм (44) къыкIэлъокIуэ Олимпиадэм и бысым японхэр (31), Австралиеми иIэр апхуэдиз дыдэщ. БлэкIа махуищыр Урысейм икIа гупым яхуэIеяуэ жыпIэ хъунукъым. Псом хуэмыдэу спортсменхэм ядэщIхэр щыгуфIыкIащ бадзэуэгъуэм и 31-м джатэзэхэуэмкIэ (сабельное фехтование) гуп зэпеуэ зэхьэзэхуэм щытекIуа хъыджэбзищым: Поздняковэ Софие, Великая Софье, Никитинэ Ольгэ. 45:41 бжыгъэкIэ ахэр ятекIуащ Франджым икIа гупым. Япэ ит хъыджэбзитIым нэхъ пасэу щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэм медаль зырыз къыщахьакIэт: Поздняковэ Софие — дыщэ, Великая Софье — дыжьын. Гу лъытапхъэщ Урысейм и Олимп комитетым и президент Поздняков Станислав Софие и адэу, джатэзэхэуэмкIэ гъэсакIуэу зэрыщытми. БоксымкIэ япэ медалыр (домбеякъ) Урысейм бадзэуэгъуэм и 31-м шэшэн щIалэ Хатаев Имам къыхуихьащ. ШыщхьэуIум и 1-м абы къыкIэлъыкIуащ Замковой Андрей и домбеякъ медалыр. Бадзэуэгъуэм и 31-р яхуэфIащ метр 50-кIэ япэжыжьэ нэщанэм щытыкIищым иту тегъэхуэнымкIэ зэхьэзэхуэм хэта хъыджэбзитIми: Зыковэ Юлие (дыжьын), Каримовэ Юлие (домбеякъ). Павлюченкэ Анастасиерэ Рублев Андрейрэ Олимпиадэм и 10-нэ махуэу щыта шыщхьэуIум и 1-м Урысейм икIа гупым теннисым ехъулIэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызыкъуахащ: цIыху тIурытIу щызэпэщIэт «микст» зэхьэзэхуэ лIэужьыгъуэм дыщэмрэ дыжьынымрэ щызэпэзыубыда лъэныкъуитIри Урысейм щыщт. Зэрагъэхьышхуэ щымыIэу, Павлюченковэ Анастасиерэ Рублёв Андрейрэ дыщэр къаIэрыхьэри, Веснина Еленэрэ осетин щIалэ Карацев Аслъэнрэ дыжьыныр къалъысащ. ТеннисымкIэ щхьэзакъуэ зэпеуэм дыжьын медаль щызыIэригъэхьащ ермэлы щIалэ Качанов Карен. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ щыщу Олимпиадэм екIуэлIахэм я гугъу тщIымэ, Адыгэ Республикэм икIа КъуэщIысокъуэ Сусаннэ батутым щыдэлъеинымкIэ зэпеуэм и финалым нэсри ебланэу зыкъигъэлъэгъуащ. КъБР-м щыщу лъагэу дэлъеинымкIэ псори ехъулIэныгъэфIкIэ зыщыгугъа Акименкэ Михаил мыгъэрей зэхьэзэхуэм и насып хэмылъу къыщIэкIащ. ШыщхьэуIум и 1-м екIуэкIа кIэух зэпеуэм Михаил метри 2.33-рэ лъагагъым къыщыувыIэри, еханэ увыпIэр къихьащ. Урысейм икIа спортсменхэм я ехъулIэныгъэхэм кIуэ пэтми къыхагъахъуэ. Каменский Сергей (метр 50-кIэ япэжыжьэ нэщанэ еуэнымкIэ — дыжьын; Мельниковэ Ангелинэ (спорт гимнастикэм) — домбеякъ медалхэр къахьащ; спринтымкIэ цIыхубз зэхьэзэхуэм хэта Шмелёвэ Дарьерэ Войновэ Анастасиерэ — домбеякъ медалхэр къахьащ. Алыдж-урым бэнэкIэм Емелин Сергейрэ Семёнов Сергейрэ домбеякъ медалыр къыщахьащ. Дыжьыныр спорт гимнастикэм щызыIэригъэхьащ Аблязин Денис. ШыщхьэуIум и 3-м дагъэгуфIэнкIэ дащыгугъыу иджыри цIыхуитI зэхьэзэхуэм я гуащIэгъуэм утыку ихьэнущ. Ар КъалэкIыхьым щыщ, лъагэу дэлъеинымкIэ зи текIуэныгъэхэм дезыгъэсэжа Ласицкене Мариерэ Узбекистаным куэдрэ зэрыщыпсэуам къыхэкIыу, а къэралым и цIэкIэ зыкъэзыгъэлъагъуэ, Адыгэ Республикэм щыщ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Азием щэнейрэ и чемпион хъуа Асэкъал Рустамрэщ. Ди лъэпкъэгъум сыт хуэдизу гуащIэу дыкъыдэмыщIми, дэ жыжьэрэ гъунэгъуу дылъэщIыхьэну къыщIэкIынкъым и адэм «къафэ сэлам» хуезыгъэхьа ипхъу цIыкIум. «Нарт» къэфакIуэ ансамблым хэт пщащэ ныбжьыщIэм и адэм игу хуиIэтын папщIэ, и ныбжьэгъухэм я гъусэу къафэ игъэзащIэу видео зытригъэхащ: «Папэ, мы къафэр уэ пхудогъэфащэ». «Апхуэдэ щIыбагъ уиIэу, мазэми ущIэмылъэтэн щыIэкъым», — къритащ жэуап хъыджэбз цIыкIум и адэм. Нэхъ пасэу ТIэш Светланэ Рустам дригъэкIуэкIа нэтыным щIалэм Олимпиадэм зэрызыхуигъэхьэзырым щытепсэлъыхьат: «Си унагъуэмрэ сэрэ дифI а Iуэхум хэлъмэ, Алыхьым къызитынщ сэ а текIуэныгъэр!» — жиIащ бэнакIуэм. Уи лъэпкъэгъу махуэ къэс дунейпсо утыку ихьэркъым. Асэкъал Рустам и цIэри адыгэ олимп чемпионхэм я сатырым хэувауэ Тхьэм дигъэлъагъу. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100272.txt" }
Усэ фIыуэ зылъагъухэр КъБР-м и Правительствэм пэгъунэгъуу зэрагъэпэщыжа зыгъэпсэхупIэ хадэм усэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и управленэмрэ къалэм и библиотекэ нэхъыщхьэмрэ. Усэ фIыуэ зылъагъухэр къеджащ усакIуэ цIэрыIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэм. Зи усэ къеджэжа ныбжьыщIэхэри мащIэкъым. Пшыхьым зэхуишэсащ макъамэ щабэм, усакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм дахьэххэр, усэ зытх ныбжьыщIэхэр, журналистхэмрэ блогерхэмрэ. Зэхыхьэ гуапэр ягъэдэхащ ирагъэблэгъа артистхэм, къэфакIуэхэм, музыкантхэм. Иужьрей зэманым щэнхабзэ, литературэ, гъуазджэ пшыхьхэм хуэзэша къалэдэсхэм къыхагъэщащ зэхуэсыр щIэщыгъуэ икIи гъэщIэгъуэн зэращыхъуар икIи апхуэдэ усэ пшыхьхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэ- пэщмэ зэрагуапэр. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100277.txt" }
Ингушхэм зыкъыкIэрагъэхуркъым Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэ-хэм футболымкIэ я чемпионатым пашэныгъэр щызэдэзыIыгъ «Ангушт»-мрэ «Энергетик»-мрэ Нэзрэн къалэм щызэIущIати, хэгъэрейхэр текIуащ. Апхуэдэу къэхъуа пэтми, ди щIалэхэм я хьэрхуэрэгъухэр яутIыпщыркъым. Иджыри къэс зэхьэзэхуэм щызэдэбакъуэ Прохладнэ и «Энергетик»-мрэ Нэзрэн и «Ангушт»-мрэ я зэIущIэр пэщIэдзэ джэгугъуэхэм щыIэн хуеящ, арщхьэкIэ нэхъ иужьыIуэкIэ ягъэIэпхъуэри, иджыбла-гъэ зэхэтыжащ. Ар хуаб- жьу удэзыхьэх икIи гуащIэ хъуащ. Джэгум и япэ Iыхьэм Урыс Аслъэн бжыгъэр къызэIуихри, прохладнэдэсхэр япэ иригъэщащ. АрщхьэкIэ загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ «Энергетик»-м ныкъусаныгъэншэу зихъумэжыфакъым. ЗэIущIэм и кIэуххэм топитI къыхудагъэкIри, мы зэхьэзэхуэм етIуанэу къыщыхагъэщIащ. Абы иужькIэ я губжьыр тракъутащ къахуеблэгъа Мэхъэчкъалэ и «Динамо-М»-м. А зэIущIэм къыщыхэжаныкIахэм ящыщщ Самарэ и «Крылья Советов»-м хэту премьер- лигэм илъэс зыбжанэкIэ щыджэгуа прохладнэдэс Таранов Иван. Гъуащхьауэхэм я зэпеуэри нэхъ къызэщIэплъащ. Нобэр къыздэсым абы бжьыпэр щызыIыгъа Иуан Азрэт къылъэщIыхьэжащ «Ангушт»-м щыджэгу Алиев Бэчхъан. Иджы а тIури бгъуэрыбгъуэ зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ. АдэкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ иужьу зэхэта джэгугъуэхэм къарикIуа бжыгъэхэм: бадзэуэгъуэм и 22-м — «Динамо-М» (Мэхъэчкъа-лэ) — «Волгарь-Ю» (Астрахань) — 3:0, «Дербент» (Дербент) — «Уралан» (Элиста) — 0:2, «Ангушт» (Нэзрэн) — «Энергетик» (Прохладнэ) — 2:1, (топхэр дагъэкIащ Урыс Аслъэн, Зязиков Руслан, Алиев Бэчхъан сымэ); бадзэуэгъуэм и 28-м — «Волгарь-Ю» — «Динамо-Дагестан» (Мэхъэчкъалэ) — 2:4, «Уралан» — «Нахичевань» (Дон Iус Ростов) — 1:1, «Энергетик» — «Динамо-М» — 4:1 (топхэр дагъэкIащ Гамзатов Магомед, Таранов Иван, Иуан Азрэт (2), Урыс Аслъэн сымэ), «Ангушт» — «Волгарь-М» (Астрахань) — 4:0. «Астрахань» командэр зэхьэзэхуэм хэкIыжащ икIи ар зыхэта зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэр якъутэжащ. Прохладнэ и «Энерге- тик»-м хуабжьу зэIущIэ хьэлъэ Къалмыкъым и къалащхьэм щыдригъэкIуэкIащ. Элиста къалэм ар зэхьэзэхуэм щыпашэхэм ящыщ «Уралан»-м. Абы и закъуэщ иджыри къэс «Ангушт»-р хэзыгъэщIэфар. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100279.txt" }
Чэщанэхэм я махуэ Ингушым щыIэщ лъэпкъхэм я чэщанэхэр. 2022 гъэм къыщыщIэдзауэ накъыгъэм и ещанэ щэбэт къэс республикэм щагъэлъэпIэнущ чэщанэхэм я махуэр. ФщIэн папщIэ: «ингуш» псалъэм «чэщанэм щыпсэу» къикIыу аращ. Пасэ зэманхэм яухуахэр бгылъэ щIыпIэхэм щыIэщ. Абыхэм яхэтщ щыпсэуаи, быдапIэу яIаи, плъырыпIэу къагъэсэбэпаи. Псалъэм папщIэ, «Вовнушки» чэщанэ зыбжанэу зэхэтыр «Семь чудес России» жыхуаIэм хэхуащ. Унагъуэхэм я лъэпкъ чэщанэхэр зэрызэрахьэм и фIы-щIэщ IХ — Х лIэщIыгъуэхэм яухуахэр къызэрызэтенар, ауэ езыхэри быдэщ, сантиметр 70 хуэдиз я бгъуагъщ мывэ блынхэм. Хъыбарыжьхэм зэрыхэтым тепщIыхьмэ, а мывэжьхэр щызэтралъхьэм шэрэ джэдыкIэрэ къагъэсэбэпащ. Нэхъыщхьэращи, гъэмахуэм щIыIэтыIэщ, щIыма-хуэм хуабэщ. Чэщанэм щIым хэт пэшхэр иIэт, Iэщымрэ гумрэ щIэту, япэ къатым зэпымыууэ жьэгу мафIэр щыблэрт, Iугъуэр мывэ зэхуакухэмкIэ дихужу. Ингушым и унафэщIу щыта Зязиков Мурат жеIэ чэщанэхэр щIэблэм зэIэпахыу зехьэн зэрыхуейр. Езыри егугъуу кIэлъоплъ Зязиковхэ Джейрах щIыналъэм щаIэ чэщанэм.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100282.txt" }
ЗэфIэкI лъагэ зиIэ ГъуаплъащIэ Аслъэн ЦIыхум и узыншагъэр хъумэныр, и гъащIэр къегъэлыныр дохутырыр махуэ къэс зыпэрыт лэжьыгъэ хьэлъэщ. Абы щыпIэщIэкI щыуагъэм и уасэр цIыху гъащIэщ. Дохутырым махуэ къэс и нэгу щIокI гур хэзыгъэщI Iуэхугъуэ — ар куэдым я псэм дэмыхуэнщ. Сымаджэм дохутырым и нэгум фIэщхъуныгъэ ирилъагъуэу щытын хуейщ. Узыгъэхъужыну узыщыгугъым дзыхь хуумыщIмэ, узым утекIуэфыну? Дохутыр IэщIагъэм ухуеджэныр мащIэщ, абы укъыхуигъэщIауэ щытыпхъэщ. Уи зыгъэпсэхугъуэ зэманыр сымаджэм тебгъэкIуэдэфмэ, уи жейр бгъэныкъуэрэ сыхьэт бжыгъэкIэ операцэр пхуегъэкIуэкIынумэ, жэщ-махуэ жумыIэу узыпэрыт IэнатIэм уи гъащIэр тыхь хуэпщIыфмэ, цIыху зэхэгъэж умыщIу дэтхэнэ зыми уи дэIэпыкъуныгъэр лъыбгъэсыфыну ущытмэ, «дохутыр» цIэ лъапIэр пхуэфащэщ. А зи гугъу тщIа хьэл псори дыболъагъу ди псэлъэгъу щIалэм — КъБР-м и уролог ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и деж щылажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ, «Медиум» клиникэм и уролог-андролог ГъуаплъащIэ Аслъэн. И IэщIагъэм хуэзыша гъуэгуанэр абы къыщыщIидзащ КъБКъУ-м и медицинэ факультетым, адэкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Санкт-Петербург дэт, Киров С. М. и цIэр зезыхьэ дзэ-медицинэ академием и ординатурэм. — Аслъэн, дохутыр IэщIагъэр сыт щыгъуи уи хъуэпсапIэу щыта? — СызэрыцIыкIурэ дохутыр сыхъуну сыхуейт. 7-нэ классым сыщIэсу IэщIагъэ схуэхъунур къыхэсхат, абы нэхъыбэу сытезыгъэгушхуар хъэлат хужь зыщыгъхэм я лэжьыгъэм гу лъызэзыгъэта, ар фIыуэ сэзыгъэлъэгъуа си анэшхуэрщ. Сызыпэрыт Iуэхур сигу ирохь, медицинэм и унэтIыныгъэхэм ящыщу си лэжьыгъэр зытегъэщIар урологиеращи, гъэщIэгъуэну зэхэлъщ. — Урологиер зищIысым, абы къызэщIиубыдэм и гугъу къытхуэщIыт. — Урологиер гъутхьэпскIуапIэмрэ гъутхьэпсылъэмрэ куууэ зыдж щIэныгъэщ. Абы къищынэмыщIауэ, уролог IэщIагъэлIыр жьэжьейм, цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ зэрызэщхьэкI щхьэхуныгъэу Iэпкълъэпкъым иIэ органхэми йоIэзэ. Апхуэдэуи, абы хэтщ цIыхухъу лъхугъэншэм теухуа зы Iыхьэшхуи — андрологиещ абы зэреджэр. Урологиер унэтIыныгъэ гъэщIэгъуэнщ, ар къыхэзыха дохутырыр IэщIагъэм дихьэхыу ирилэжьэнущ. — Илъэс пщIы бжыгъэ ипэкIэ узэIэбэкIыжмэ, урологием ехьэлIа цIыхухъу узыфэхэм егъэлеяуэ гулъытэ мащIэт хуащIыр. ЦIыхухэр апхуэдэ узхэм тепсэлъыхьыну укIытэрти, дохутырым и деж кIуэртэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ щытыкIэм зихъуэжа? — Пэжщ, нэхъ пасэм зи гугъу тщIы узыфэхэм ятеухуауэ хъыбар куэд щыIэтэкъым, и щхьэр течауэ абыхэм я гугъу ящIыну зраусыгъуэджэртэкъыми. Сымаджэхэм забзыщIырти, я узыр фIыуэ хэтIэсауэт дохутырым зыщыхуагъазэр. Псом хуэмыдэу лей къызытехьэр ныбжь нэхъ зиIэ цIыхухъухэрт. Узым Iэзэгъуэ игъуэтын хуейщ, и чэзум и хущхъуэгъуэр епхьэлIэмэ, куэдкIэ нэхъ тыншу зэфIэкIынущ, хэтIэсамэ, хирургие IэмалхэмкIэщ сэбэп узэрыхуэхъуфынкIэ хъунур. — Сыт хуэдэ ныбжьым щегъэжьауэ икIи сытым щыгъуэ урологым и деж ущыкIуэн хуейр? — ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа узыфэхэм ящыщ гуэрым укъыхигъэзыхьмэ, уи ныбжьыр зэрыхъум (илъэси 10-ми, 30-ми, 65-ми) емылъытауэ дохутырым зыхуэбгъэзэн хуейщ. Иджыпсту дэтхэнэри «дохутыр Iэзэщ», интернетыр къызэIуахри, абы къыщагъуэтымкIэ «зоIэзэж». Ар щы-уагъэщ, Iэмал имыIэу IэщIагъэлIым и деж укIуэн хуейщ. Урологием узыфэ куэд къызэщIеубыдэ икIи жьыгъэ-щIалагъэкIи зэщхьэщидзыркъым. Псалъэм папщIэ, ди зэманым предстательнэ железам лышх узыфэр еуэлIауэ куэдрэ урохьэлIэ. Зи тхьэмщIыгъур лышх узыфэм иубыда сымаджэхэрщ дунейм щынэхъыбэр, абы къыкIэлъыкIуэр дэ зи гугъу тщIаращ. Аращи, зи ныбжьыр илъэс 45-м щIигъуа цIыхухъухэм илъэс къэс уролог зрагъэплъын хуейщ. Къыхэгъэщыпхъэу къызолъытэ иужьрей зэманым зи щIалэгъуэхэм сабий зэзымыгъэгъуэтыф куэд къазэрыхэкIыр, ар къамыгъэхъун папщIэ щIэх-щIэхыурэ уролог-андрологым деж я узыншагъэр къыщапщытэн хуейщ. — Зыкъыфхуэзыгъазэ сымаджэхэм нэхъыбэу сыт хуэдэ узыфэ яIэр? — Щхьэж и ныбжьым елъытауэ узыфэхэри зэмылIэужьыгъуэщ. Нэхъыбэу дызрихьэлIэр зи щахэм мывэ ирищIа е щIыIэ хыхьа сымаджэхэрщ. — Медицинэ технологие лъагэхэр и лъабжьэу сыт хуэдэ операцэхэр фи клиникэм щевгъэкIуэкIрэ? — Абы папщIэ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIрэ иджырей медицинэ Iэмэпсымэрэщ узыхуэныкъуэр. Урологием ехьэлIауэ медицинэ Iуэхутхьэбзэ псори ди деж щагъуэтынущ сымаджэхэм. Абы хохьэ медицинэ технологие лъагэхэр зи лъабжьэ операцэ лIэужьыгъуэхэри. — Уэ узэреплъымкIэ, ди къэралым и медицинэр нобэ сыт хуэдэ щытыкIэм ит? — Сэ шэч къытезмыхьэу схужыIэнущ ар пэрытхэм зэращыщыр. Хамэ къэрал щыщ IэщIагъэлIхэм дапыщIащи, дыщыгъуазэщ ди медицинэр и фIагъкIэ зыкIи абыхэм ейм къазэрыкIэрымыхум. Дунейпсо медицинэ конгрессхэм къыщыдощIэ унэтIыныгъэм щыIэ ехъулIэныгъэхэр, Европэми Америкэми я урологхэмрэ дэрэ лэжьыгъэ и пIалъэкIэ дыщызохъуажэ, куэдрэ къыщыхъу щыIэщ ди Iуэху еплъыкIэр, бгъэдыхьэкIэр абыхэм щапхъэ щахуэхъу. — Сыт и лъэныкъуэкIэ ебгъэфIэкIуэнт медицинэр? — Иджыблагъэ Москва урологхэм я конгресс щекIуэкIати, сымаджэхэр я щIыналъэхэм къызэрыщызэтемыувыIэм теухуа псалъэмакъ къыщаIэтащ. Псалъэм папщIэ, гъунэгъу хэгъэгухэм къокIри, ди сымаджэщхэм къокIуэ, дыдейхэр Ставрополь макIуэ, Ростов щыпсэухэм Москва щыIэ клиникэхэм зыщагъэхъуж. Москвадэсхэм я узыншагъэм хамэ къэралхэм щыкIэлъагъэплъ. Сыхуейт сымаджэхэм я щIыналъэхэм щылажьэ дохутырхэм хуаIэ щытыкIэр ефIэкIуэну, абыхэм я узыншагъэр дзыхь хуащIыну. Псори я щIэныгъэкIи я IуэхущIапIэхэр къызэрызэгъэпэщакIи зэхуэдэщ. Ауэ фIыр нэгъуэщIыпIэ къыщалъыхъуэ. — COVID-19-м гъащIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ къыхилъхьащ. Абы теухуауэ уи еплъыкIэр къэсщIэну сыхуейт. — Госпиталхэм сыщыкIуэ къысхуохуэри, сэ солъагъу зэрагъэбауэ нэкIуIулъхьэр зыIулъ сымаджэхэм узыфэр хьэлъэу зэрырахьэкIыр. Аращи, дэтхэнэ зыри дысакъыпхъэщ икIи дыхущIэкъун хуейщ вирусым зэрызедмыгъэубгъуным. Сэ вакцинэр зыхезгъэлъхьащ си благъэ-Iыхьлыхэм, сызыхэтхэм, республикэм и дэтхэнэ зы цIыхуми и узыншагъэр хъума хъун папщIэ. Сэ къызолъытэ а Iуэхум псори жэуаплыныгъэ яхэлъу бгъэдыхьэн хуейуэ. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ди закъуэ къарукIэ дызыпэмылъэщын Iуэхугъуэхэр зэрыщыIэр — апхуэдэщ генетикэмрэ узыфэхэмрэ. Абы къыхэкIыу ди узыншагъэм щIэх-щIэхыурэ дохутырыр кIэлъыдгъэплъын хуейщ. Джэш Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100286.txt" }
Уигу иумылъхьэмэ унэсын, уемыжьэмэ плъагъун?.. Адыгэ щIэныгъэлI Хъут Шамсудин къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу Жыгым къыпыкIэр и уасэщ, цIыхум и уасэр и лэжьыгъэщ, жаIэ. ЦIыхум гъащIэм щыпхиш лъагъуэр бгъуэ хъунуми кIыхь хъунуми зэлъытар къыхиха Iуэхум гурэ псэуэ хилъхьэрщ, гуащIэрэ ерыщагъыу ирихьэлIэрщ. Iуэхум кIуапIэ имыIэжу къыпфIигъэщIу загъуэрэ уригъэкIуэтыжыну зищIми, а лъэпощхьэпом ущхьэдэха нэужьщ зэрымыувэу къыпщыхъу псори щызэхуэхъужыр, узылъыхъуэхэр къыщыбгъуэтыр. Мы тхыгъэр зытеухуа адыгэлI щыпкъэм лэжьыгъэшхуэ къызэринэкIам и мызакъуэу, къызыхэкIа лъэпкъым хуищIа Iуэхутхьэбзэр къызэрымыкIуэу инщ, куущ, бгъуэщ. ИкIуэтыжынуми, узыфIэлIыкIын икIи къыбгурыIуэн ущхьэгъу иIэт, къыхиха гъуэгум ерыщу ирикIуащ, ар щыгъэтауэ, лъэбакъуэу идзами щIэныгъэм увыгъэхэр хуищIу, лъагъуэхэкIхэр хуиубэу, щIэплъыпIэщIэхэр къыхущIигъэщу и IэнатIэм пэрытащ. Лъэпкъ IуэрыIуатэр адыгэ гупсысэм и къигъэхъуапIэу, щIэжым и псыпэхэшу зэрыщытыр пасэ дыдэу къызыгурыIуа щIэныгъэлIым и лъэкIыр ирихьэлIэри, и гъащIэр къэхутэныгъэм хэту ихьащ, псэ зыхилъхьэ Iуэхугъуэм щыгуфIыкIрэ ар адэкIэ къызэрызэрыкIынум хьэлэлу телажьэу. Мис апхуэдэ лэжьакIуэ емышыжу, «ищIар тэджыжкъым» хужаIэу дунейм тетащ псэужамэ, зи ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 85-рэ ирикъуну щыта, филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и академик, Адыгэ Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хъут Шамсудин Хьэжыасфар и къуэр. И гъащIэм щыщу илъэс 40-м нэблагъэр Хъутым IуэрыIуатэ щIэныгъэм иритащ — КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм лэжьакIуэ пашэу Iуэху щищIащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъи 100-м щIигъу, IуэрыIуатэ зэужьу блы, монографиеу плIы, зэхигъэуващ курыт еджапIэхэм лъэпкъ литературэр зэрыщаджын тхылъхэр, методикэ дэIэпыкъуэгъухэр, псалъалъэхэр. Апхуэдэу Хъутым и щIэныгъэ-узэщIакIуэ тхыгъэ бжыгъэншэхэр къытехуащ хамэ къэралхэм, Совет Союзым, Урысейм, адыгэ хэгъэгухэм къыщыдэкI газет икIи журал зэмылIэужьыгъуэхэм. Еши псэхуи имыщIэу зыпэрыта лэжьыгъэм Хъут Шамсудин хилъхьар и акъылым и закъуэкъым, атIэ гупсысэу а псом пкъригъэзэгъар щIэблэм и зэхэщIыкIыр зэриIэтынум, адыгэхэм я адэжьхэм къащIэна щIэиным лъапIэныгъэу пылъым гу зэрылъаригъэтэнум хуэунэтIат. Хъут Шамсудин и IэдакъэщIэкIхэм щIэныгъэ дунейм пщIэ щагъуэтащ. Апхуэдэ гулъытэ абыхэм яIэ щыхъуар нобэкъым. ЩIэныгъэлIыр дунейм щытетым и къэхутэныгъэхэм къыщIэупщIэу, ахэр зэIэпахыу, тегъэщIапIэ ящIу, щапхъэу къахьу хэIущIыIу хъуат. Хъут Шамсудин и лэжьыгъэхэм Урысейм щыIэ IуэрыIуатэхутэхэр щыгъуазэт, кавказщIыб щIыналъэхэми ахэр фIыуэ щащIэрт. Псалъэм и хьэтыркIэ, Куржым щыщ, дуней псом щыцIэрыIуэ IуэрыIуатэхутэ Вирсаладзе Еленэ зы щIэныгъэ зэхуэс гуэрым и утыкум адыгэхэм я таурыхъхэм ехьэлIауэ къэпсэлъа Хъут Шамсудин едэIуа нэужь, жиIэгъат: «Кавказышхуэм щыпсэу лъэпкъхэм я дуней лъагъукIэр зэпэблагъэ къудейм къыщымынэу, Iыхьлыгъэ гуэр я зэхуакум зэрыдэлъыр си фIэщ хъурт. Ауэ Хъутым и къэхутэныгъэм къэмыкъутэжыну хьэкъ сщищIащ кавказ лъэпкъхэм я таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ илъэс мин бжыгъэхэм нызэрыхьэсауэ щIагъщIэлъыбзэкIэ кърахьэкIыу яхэлъ гупсысэ къэгъэщIыкIэр зы къуэпсым къызэрыщежьэр, зы лъабжьэм къызэрикIыкIыр. ЖыпIэнуращи, шэч къытесхьэркъым а IуэрыIуатэхэр къызыбгъэдэкIахэр зы быдзышэ зэрефам. Дауи, таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ цIыхубэм я хъуапсэхэрщ къахэщыр — пэжымрэ захуагъэмрэ щытепщэ дуней дахэ ухуэнырщ, пцIымрэ мыхъумыщIагъэмрэ гъэкIуэдынырщ. Ауэ ахэр сыт хуэдэ лъэпкъ узыншэми гъащIэм къыхих гупсысэкIэщ. Нэхъ куууэ уеплъмэ, гъэщIэгъуэныр а хъуапсэхэр къызэрыщI псэлъэкIэрщ, псалъэ къэгъэщIыкIэрщ, псалъэ зэхьэкIыкIэрщ. Ахэр лъэпкъ къэс езым унейуэ къыдогъуэгурыкIуэ. Куржым щыпсэу лъэпкъхэм я псалъэ зэгъэкIэсыкIэм адыгэ-абазэхэм я псалъэ зэгъэпэщыкIэр изогъапщэри, апхуэдизу зэтехуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, ахэр зэмылъапсэгъутэмэ. «ШэпIащэрыуэт», «щтапIэ ихьэжащ», «и нэбдзыпэм къыщIоплъ», «нэри пэри ехь», нэгъуэщI жыIэгъуэ куэд дыдэри я псалъэ зэпыувэкIэкIи я псалъэ къыхэхыкIэкIи зэтехуэу жыпIэн щхьэкIэ, зы унэ укъыщIэкIын хуейщ. Кавказ IуэрыIуатэ щIэныгъэм зэгъэпщэныгъэ-зэлъытэныгъэ Iэмалыр къыхэзылъхьа Хъут Шамсудин а щIэныгъэр иджыри зы лъагапIэ зэрыдишам пцIы хэлъкъым, ар абы и фIыщIэщ». ЩIэныгъэлI цIэрыIуэм мыпхуэдэ псалъэкIэ уиIэтыныр зимыуасэ щыIэтэкъым. Псом хуэмыдэу Хъут Шамсудин дежкIэ — зэрысабийрэ и нэхэмкIэ гурыгъуз иIэу къекIуэкIыурэ лIыпIэ щиувэм нэф хъуат… Ауэ ерыщагъ зыхилъхьэщ, адыгэ жыIэкIэкIэ жыпIэнумэ, и бгыр щIикъузэри, Хъутыр лIыгъэ щIапIэ ихьащ. Хэт жиIэфын ар абдеж щытемыкIуауэ?! Хъут Шамсудин 1936 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м Адыгэ Республикэм ит Джэджэхьэблэ къыщалъхуащ. НэхъыжьыфIхэр зэрыс унагъуэт Шамсудин къыщыхъуари, лъэпкъ хабзэмрэ адыгэ жьабзэмрэ я фIыпIэм щIапIыкIащ. Ар бгъэдэсащ зи ныбжьыр илъэси 110-м фIыуэ щхьэдэха, IуэрыIуатэжьхэр хъарзынэу зыщIэж, ахэр екIуу къэзыIуэтэж адэшхуэ, зэры-Бжьэдыгъу щIыналъэу зи цIэр ноби дахэкIэ къраIуэ Хъут Исхьэкъ. Хэку зауэшхуэм хэкIуэда адэм и IэфIыр зыхищIэну игъуэ имыхуами, Шамсудин адэ зыщхьэщытхэм яригъэхъуэпсакъым Исхьэкъ. Фызабэу къэна, бынитI зыщIэс и нысэми зэрылъэкIкIэ зыщIигъэкъуащ. Адэшхуэр Шамсудин дежкIэ зы дуней ирикъурт — Iуэху щIэным псэ хэмылъмэ, шыпсыранэ пабжьэу зэрыщытым, хабзэм и зы ныбз уебакъуэмэ, цIыхугъэм зэрыщыщIэм, уэрэдым псалъэр пхэнжу хэувэмэ, зэрызэщыкъуэм, хъыбарым щыщIагъэ игъуэтмэ, пцIымкIэ зэребэм хуигъасэрт икIи хуиущийрт. КъыжриIэ къудей мыхъуу, а псор зэрызэрахьэри и нэгу щIигъэкIащ. Хъутхэ я хьэщIэщыр цIыхуншэ зэи хъуртэкъым. Къуажэм дэс нэхъыжьхэр пщыхьэщхьэкIэрэ абдеж къыщызэхуэсрэ тхыдэжьрэ хъыбарыжькIэ, уэрэдрэ пшыналъэкIэ жэщ кIыхьхэр щрахырт. Пэжым и уасэр, лIыгъэм и пщIэр, гуащIэдэкIым и къарур зыхуэдэр Шамсудин хьэщIэщым IуэрыIуатэм и щапхъэхэмкIэ щызригъэщIащ. Шэч хэлъкъым Хъутым и гъащIэ гъуэгур зыунэтIар адэшхуэм и хьэщIэщым щызэхихахэр ару зэрыщытым. «Вы хъунур шкIэ щIыкIэ къыбощIэ», жаIэ адыгэхэм. Адыгэ нарт эпосым и гъащIэр езыта, емышыжу зэхуэзыхьэса щIэныгъэлI цIэрыIуэ ХьэдэгъэлI Аскэр сыт щыгъуи игъэщIагъуэу жиIэжырт: «Хэт щIэныгъэм хэтхэм тщыщу зигу къэкIар и адэшхуэм деж щызэхиха IуэрыIуатэхэр итхыжу щIэныгъэхутэ институтым иригъэхьыну? Хъут Шамсудин къищынэмыщIауэ, ар зыщIа щыIэу си фIэщ хъуркъым. «Джэдуужьым хьэжы-ефэнды зэрызищIар» таурыхъымрэ «Хьэжьымрэ кхъуэжьымрэ» псысэмрэ зытхыжари архивым хэзылъхьари курыт еджапIэм щIэс ныбжьыщIэ цIыкIут, Шамсудинт. Абы лъандэрэ зызыубгъу архивщ Хъутым и архивыр». ЩIалэм гулъытэ жан зэриIэри зэ зэхихар щымыгъупщэу зэрыгурыхуэри цIыкIу щIыкIэ нахуэ хъуащ. Абы зэхуэдэу къехъулIэрт есэпри бзэри, ар лъэщ дыдэт адыгэ икIи урыс литературэхэмкIэ, мыбзаджэу зэригъэзахуэрт дыкъэзыухъуреихь дунейм епха дерсхэр. Хъут Шамсудин зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм я щыхьэтщ абы 1955 гъэм курыт еджапIэр къыщиухым кърата дыжьын медалыр. ФIы дыдэу еджа Шамсудин Краснодар къалэм дэт политехникэ техникумым гугъуехь къыхэмыкIыу щIэтIысхьат, арщхьэкIэ ар зэримыIэщIагъэр пасэу къыгурыIуэри къыщIэкIыжауэ щытащ. Мейкъуапэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру дэт институтым къэкIуэжа щхьэкIэ, ари нигъэсыну къехъулIакъым — и узыншагъэр екIакIуэри, къуажэм игъэзэжын хуей хъуащ. Ауэ цIыхум и гугъапIэхэр къызэпыудауэ къыщыщыхъу дыдэм ирихьэлIэу Iэмалыншэу зы нэхугъэ гуэр къыхукъуокI. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу лэжьа, цIыхубз телъыджащэу дунейм тета ХьэтIанэ ХьэIишэт и цIэр Хъут Шамсудин псэуху дахэкIэ жиIащ (Лъэпкъ интеллигенцэм щыщу мы адыгэ цIыхубз хьэлэмэтым и щхьэпэ зэмыкIа цIыху гъуэтыгъуейщ — Табыщ М.). Шамсудин и гъащIэ гъуэгур зытриухуэнумкIэ гъуазэ къыхуэхъуари, хъуапсэу иIэхэр зригъэхъулIэнымкIэ гушхуапIэу иIари аращ. ХьэтIанэм щIалэщIэм узыншагъэр щхьэусыгъуэ ищIу дэхуэхыну икIи лъэныкъуэ зригъэзыжыну Iэмал иритакъым. Шамсудин цIыхубз губзыгъэм и псалъэм едаIуэри, Мейкъуапэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэ- зыру дэт институтым етIуанэу игъэзэжащ, адыгэбзэм щыхурагъаджэ къудамэми щIэтIысхьащ. Тхылъ плъыжькIэ еджапIэ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, Шамсудин илъэситIкIэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ иригъэджу Тохъутэмыкъуей къуажэ дэт курыт еджапIэмрэ хэку еджапIэ-интернатым- рэ щылэжьащ. Зыпэрыт IэнатIэм зэрехъулIэр, фIыуэ зэрыхищIыкIыр, щIэщыгъуэ куэд зэрыхилъхьэр къалъытэри, Мейкъуапэ егъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ щыхагъахъуэ институтым методисту яшэжащ. Абдеж щылажьэурэ Хъутым IуэрыIуатэр курыт еджапIэм зэрыщебгъэджынум теухуа тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытригъадзэ хъуащ, икIи къиIэт Iуэхугъуэхэр зэрыгъэщIэгъуэныр, нэхъыбэжкIэ къызэрызэрыкIынур нахуэ хъури, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щылэжьэну ирагъэблэгъащ. Мыбдеж къыщежьэри, институтыр Хъутым и хэщIапIэу, и лъэщапIэу, и лэжьапIэу илъэс IэджэкIэ къекIуэкIащ. Езым жиIэжырт: «ГъащIэр хужьрэ фIыцIэ къудейкъым зэрызэхэлъыр, я зэхуакур апхуэдизкIэ плъыфэбэу зэIущащи, къыплъэIэсым елъытащ уиIэну гукъыдэжри зыхэпщIэну гухэщIри. Уахътым фIэкIа хэкIыпIэ зимыIэ щыIэкъым, адрей псоми хущхъуэгъуэ яIэщи, щхьэегъэзыпIэ схуэхъуа щIэныгъэ IуэхущIапIэр еIэзапIэу сиIащ, абы щхьэкIи сыт щыгъуи фIыщIэ сщIащ». Шамсудин иджыри еджэрт ХьэдэгъэлI Аскэр иригъэблагъэу IуэрыIуатэщыпэ зекIуэхэм щришэжьам. ЩIалэщIэм игъэуэршэр нэхъыжьхэм псалъэр къазэрыпихымрэ зэпыупIэ къимыгъэхъуу гупсысэкIэ я жыIэм къызэрыпигъэхъуэжымрэ узыIэпамышэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. ХьэдэгъэлIым куэдрэ игу къигъэкIыжырт: «Хъутым и лэжьэкIэм сеплъын щхьэкIэ си Iуэху къэзгъанэу и гъусэу лIыжьхэм я деж сыщыкIуэ щыIэт». Иридыхьэшхыжу щIэныгъэлIым и нэгу щIэкIа зы Iуэхугъуэ сригъэдэIуэжыгъат. Зэгуэрым, жиIэжырт ХьэдэгъэлI Аскэр, Пщыжьхьэблэ дыщылажьэу, унащхьэ чэзууэ лIыжьхэр къэдгъэпсалъэу дыздыхэтым, зэгурыIуам хуэдэу, «Бажэмрэ кърумрэ» псысэр къытхуаIуэтэжырт, хэт дгъэпсэлъэну иужь димыхьэми. Шамсудин бэшэчу итхыжырт ахэр, зэхихауи ирихьэлIауи гурыщхъуэ зыми яримыгъэщIу. ИкIэм-икIэжым, зэры-Адыгэ хэкуу фIыуэ къыщацIыху Пщыжь ХьэматIэ деж щекIуалIэм, шэч хэмылъу, мыбы нэхъ щIэщыгъуэ дригъэдэIуэнущ, жиIэу егупсыса Хъутыр, хэт ар жиIэн иджы, мо зи гугъу сщIа таурыхъымкIэ къыщыхидзэм, ар зэхимыхаифэ зытригъэуэну иужь ихьэри хущIэуфакъым: «Алоуэлыхь, сыту псысэ хьэлэмэт, мы бажэмрэ кърумрэ я Iуэху щхьэхуэ-щхьэхуэу дауэ хъужауэ пIэрэ?» — жиIэри и куафэм теуэжащ. ЛIыжьым къыгурыIуащ жиIам хьэлэмэт зыри щIалэм зэрыхимылъэгъуар, ауэ зибзыщIыну зэрыхэтам пщIэ хуищIщ, зыкъызэкъуихри, хъыбаррэ таурыхъыу къыхуиIуэтэжам хуэдэ нэгъуэщIыпIэ щрихьэлIэжакъым. Псысэр зэIэпахыу псоми щIыжаIэм зы щхьэусыгъуэт иIэр — ипэ пщыхьэщхьэм а IуэрыIуатэр хьэщIэщхэм ящыщ зым едаIуэм яфIэтелъыджэу зы къуажэ щIалэ цIыкIу гуэрым щыжиIэжати, ар ягу ираубыдауэ арат… Шамсудин Пщыжь ХьэматIэ деж щитхыжа IуэрыIуатэхэм хуэдэ адыгэ щIыналъэхэм зыщIыпIи зыри щрихьэлIэжакъым: «Iэжьэуэрыкъуэ Заурбэчрэ Хъаныкъуэмрэ», «НэIиб и щихъ щIыкIэр», «Занокъуэхэ япхъу Гуащэхужь», «ЕщIэнокъуэ Уэзыррэ Алыджыкъуэ ЩхьэцIакIэрэ», «Нарысрэ Шырэ Батыррэ» я хъыбархэр псори а зэращ зэратхыжари къызэраIуэтари. ЩIалэщIэм и шыIэныгъэмрэ нэхъыжьым хуищI пщIэмрэ мис апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэхэр къылъыкъуэкIауэ щытащ. ЛIыжьыр къызэрыщыхъуамкIэ ХьэдэгъэлI Аскэр Шамсудин щеупщIым, къритыжауэ щыта жэуапыр IуэрыIуатэжьхэр къэзыщыпхэм ноби зэIэпахыу кърахьэкI псалъэщ. «ЗыхэзгъэпскIыхьащ!» — жиIэгъат абы, и гуфIэгъуэр хущIэмыуфэу. Хъут Шамсудин IуэрыIуатэжьхэмкIэ бэлыхь, кIагуэ Iуэтэж мыхъуу, шэщIауэ, псалъэм псалъэр къыхэкIыу хъыбар зэкIэлъыгъэкIуэкIэм хуэIэзэ нэхъыжьыфI куэд игъэуэршэращ. Абыхэм ящыщщ Джэджэхьэблэ щыщ ЛIыбзу Ахьмэд, Хьэтыгъужьыкъуей щыщхэу Бэджэнэ Iэюбрэ Къэрэщей Хъалидрэ, Нэчэрэзей щыщ Мэлгуэш Чэрим, Пщыкъуийхьэблэ щыщ Хъуажь Мухьэдин, Щхьэщэхуж щыщхэу Уэгъулэ Заурбэч, Табыщ Лымэ, Щынахъуэ Хухуэ сымэ, ШапсыгъымкIэ ФIеикъуэ къуажэ щыщ Вындыжь Сэлим, нэгъуэщI куэдри. Мы нэхъыжьыфIхэм я фIыгъэкIэ IуэрыIуатэ щIэжым хэмыкIуэдыкIыжу хъыбар, таурыхъ, псысэ куэдыкIей къызэтенащ, аращ абыхэм я цIэри къыщIиIуапхъэр. Шамсудин IуэрыIуатэщыпэ зекIуэм щызэхуихьэсахэр архивым щызэтрилъхьэрэ абдеж къыщигъэнэжу хабзэ иIакъым. Ахэр абы зытеухуарэ зыщыщ лъэпкъыгъуэкIэ зэхидзырт, иджырт, къихутэрт. Шамсудин и къэхутэкIэ хабзэхэм хэлъ методологиер гъэщIэгъуэным къыщынэртэкъым, къызэрыкIуэ теориер гъащIэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм пыщIат, щIэныгъэ мыхьэнэуэ яIэм гъэсэныгъэ купщIэри хэувэжырт, лъэпкъ дуней лъагъукIэм хэкIуэдыкIа е хэкъутыкIа хъуа теплъэгъуэхэр зэфIигъэувэжырт. Шамсудин дэмыщхьэхыу игъэхьэзыращ нобэр къыздэсым зэпымыууэ къыдэкI «Адыгэ литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ» зи фIэщыгъэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я зэужьыр — аращ абы и къызэгъэпэщакIуэу щытари. Хъутырщ къыхэзылъхьауэ щытар адыгэ IуэрыIуатэхэр зэхэугъуеяуэ къыдэгъэкIын зэрыхуейр. Том 12 хъу IуэрыIуатэ зэужьым гъэпсыкIэу иIэнумрэ текстхэр зэрызэхэувэнумрэ ехьэлIа тхыгъэ купщIафIи игъэхьэзырыгъат. Абы щыщу езым и гуащIэ зыхэлъ «Адыгэ псысэхэр» зи фIэщыгъэ тхылъыр къыдэкIауи щытащ… Лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIащ Хъутым. Ар хунэсащ адыгэ узэщIакIуэхэм я щIэиныр щызэхуэхьэса тхылъ зэхигъэувэни, сабийхэм яхуэгъэза IуэрыIуатэ къыдэкIыгъэхэр зэхилъхьэни, къэхутэныгъэхэм я редактору Iуэху иригъэкIуэкIыни, егъэджакIуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун тхылъхэр къыдигъэкIыни. Сыт щыгъуи купщIафIэт, гуащIафIэт, щIэныгъэфIыр зи гъуазэ лэжьыгъэ хъурт дэтхэнэри. ЩIэныгъэм лъэбакъуэу щичыр IуэхущIафэшхуэкIэ къызэщIикъуэжырт, илъэс бжыгъэкIэ иригъэкIуэкI дэтхэнэ зы къэхутэныгъэми IэтащхьэIулIэж гъуэзэджэхэр яхуищIырт. И бзэкIи, щапхъэу къыщыхьахэм я куэдагъкIи, и зэгъэпэщыкIэ-ухуэкIэкIи хуэдэ щIэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэм къахощ Хъут и монографиехэр. IуэрыIуатэ щIэныгъэм и лъагапIэм тетщ «Адыгэ таурыхъ эпос» («Сказочный эпос адыгов»), «Адыгэ хъыбар эпос» («Несказочная проза адыгов»), «Адыгэ IуэрыIуатэ псэлъэкIэр» («Адыгское народное искусство слова»), «Адыгэ тхыдэ-лIыхъужь эпос» («Адыгский историко-героический эпос») монографиехэр. Сыт хуэдизу бджын икIи зэхэбдзын хуейт IуэрыIуатэ зэмылIэужьыгъуэхэр, абы къыхэкIа дунейм «эпос»-кIэ уеджэу ар щIэныгъэми лэжьыгъэми къыщебгъэщтэн щхьэкIэ? Шамсудин и ехъулIэныгъэм и щэхур зэлэжь текстхэр фIыуэ зэрицIыхум къыщынэртэкъым, абыхэм курых яхуэхъу купкъыр къапкърихырти, дунейпсо IуэрыIуатэм щызекIуэ апхуэдэ къэгъэщIыгъэхэм яригъапщэрт, зэдайуэ яхэлъымрэ унейуэ къахигъуатэмрэ зэхигъэщхьэхукIырти, зэлъытэныгъэмрэ зэгъэпщэныгъэмрэ ятещIыхьа къэхутэныгъэхэр ишэщIырт. КъызыхуэкIуэ гупсысэри эпос фащэм зэритыр щапхъэхэмкIэ нэрылъагъу ищIырт. УиIэм уригушхуэн хуейм къыщымынэу, уригъуэзэн, хъумэн икIи бгъэбэгъуэн зэрыхуейм уригъэувалIэу лэжьащ Шамсудин. Хъут Шамсудин цIыху Iущт. Лэжьыгъэм абы и цIэр къыхэщмэ, ар шыбзэм зэрыщIэкIар, дзыхь хуэпщI зэрыхъунур псоми къызэдащтауэ щытыкIэт. НэмыщIыса гуэр Iуэхум хилъагъуэмэ е щыщIэныгъэ гуэр къэхутэныгъэм хэлъу гу лъитамэ, ар зи IэдакъэщIэкIым игу еуэну хуэмейуэ псалъэр къыхухищыпыкIыурэ хузэригъэзэхуэжырт, кIуапIэхэр игъэ- лъагъуэрт. Аращ абы ныбжьэгъухэр «усэрэжкIэ» еджэу щIыщытари. Хэт нэхъри Хъут Шамсудин хуэфащэщ IэщэфIкIэ уеджэныр. ЩIэныгъэр и Iэщэу псэуа цIыхум цIыхугъэри и Iэщэу гъащIэр ихьащ. Абы къефыкIа узым лъэрыщIыкI зригъэщIакъым, атIэ ущIэпсэун, ущIыщыIэн, ущIэлэжьэн щхьэусыгъуэ къызыхуэбгъуэтыжмэ, сыт хуэдэ лъэпощхьэпоми узэребэкъуэфынур игъэлъагъуэу псэуащ. Абы ирихьэкIа гъащIэм, псэкIэ игъэвар зыхуэдизыр къэлъытэгъуейщи, щапхъэ тезыхар мащIэкъым. Зэ сытегушхуэри сеупщIыгъат: «Гугъу зэрыхэлъам пцIы хэлъкъым, ауэ итIани согъэщIагъуэри, хьэлъэтэкъэ?» — жысIэри. ТэлайкIэ егупсысри жиIэгъа псалъэр гъащIэ гъуазэ схуэхъуащ: «Уигу иумылъхьэмэ унэсын, уемыжьэмэ плъагъун?.. Сынэсауи слъэгъуауи къысщохъу». Мыбдеж къыхэзмыгъэщын слъэкIынкъым Шамсудин и щхьэгъусэ Зое и цIэри. И гуауи, и гуфIэгъуи, и хъери, и гурыгъузи дигуэшу къыбгъэдэтащ Шамсудин а цIыхубз телъыджэр. Дунейм тетыху дамэу иIащ, ину зригъэшэщIрэ лъагэу уэгум щигъэхуарзэу. Апхуэдэ цIыхубзхэрщ адыгэжьым «нэгъэсауэ лIым и пыIэщ» щIыжаIар. ЦIыхуфIыр лъэужьыншэ хъуркъым. 2006 гъэм дунейм ехыжа Хъут Шамсудин и цIэкIэ щIэныгъэ зэхуэсхэр зэхашэ, еджэныгъэхэр, Iэнэ хъурейхэр къызэрагъэпэщ, абы и цIэр къыщрамыIуэу IуэрыIуатэм теухуа зы къэхутэныгъи адыгэ щIэныгъэм щекIуэкIыркъым. ЦIыхур уахътыншэ зыщIыр и лэжьыгъэращ, Хъут Шамсудин ар и гуащIэкIэ къилэжьыжащ. Си щхьэкIэ сыхуэарэзыщ! ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100289.txt" }
Гур зэрыгъум… 2003 гъэм и гъэмахуэкут. Сыщылажьэ Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэм и унафэщIым пщэрылъ къытщищIат Джылахъстэнейм и мэкъумэш IэнатIэхэм ящыщ зым дыкIуэу я Iуэхухэр къэдгъэнэIуэну. Зэманыр гугъут. Къэралыгъуэ лъэлъэжам гугъапIэншэу къигъэна жылагъуэдэсхэр зэрахузэфIэкIкIэ зэрыпсэуным хэтт. Режиссёру къыздэлажьэ Дадэ Ритэ Курп Ипщэ дыкIуэну дытригъэгушхуащ — езыр а къуажэм щыщт. ШэджагъуэхуегъэзэкIыу дынэсащ дыздэкIуэм. Ар Гувэжокъуэ ХьэмтIакъэ и унагъуэрт. И нэгур зэлъыIухащи, и псалъэр дыщэ и уасэщ, жыхуаIэ нэхъыжьт псэлъэгъу тхуэхъуар. ГуащIэдэкI къабзэкIэ зи гъащIэ гъуэгуанэр гъэпса дадэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ бгъэдэлъу хэт и гугъэнт — абы къиухат ижь лъандэрэ зи цIэ Iууэ Мичуринск къалэм дэта, бжьэ гъэхъунымкIэ институтыр. Республикэм апхуэдэ IэщIагъэлI зэримысым шэч хэлътэкъым. Здэпсалъэм гу лъыптэрт бжьэм ехьэлIауэ абы имыщIэ щэху зэрыщымыIэм. Пэублэ псалъэмакъыр зэпигъэури, дигъэцIыхуащ и унагъуэр. И щхьэгъусэ Нусэ унагъуэ къалэн игъэзащIэу пщIантIэм дэст: хадэ ищIэрт, джэдкъаз игъашхэрт, дыщыдыхьами, кIэдахъуэм изу нартыху игъэлъэлъауэ щысу дрихьэлIат. ХьэмтIакъэ и щIалиплIри, адэм и щапхъэм тету, ар щеджа еджапIэ дыдэр фIы защIэкIэ къаухри къуажэм къагъэзэжауэ, бжьэ ягъэхъурт. БжьаIуэр здэщыIэр щIыпIэ пхыдзат — Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ингушымрэ я гъунапкъэ мэз щхъуэшырт. Ар апхуэдизкIэ унэмыплъысу инти, дауэ пэлъэщхэрэ жыпIэнт. Хъуреягъым щызэхэт контейнерышхуэхэр зэпэщт. Бжьэ матэхэр щигъэувыкIа мэз утым и хъуреягъыр, цIыху щызекIуэу умыщIэну, щымт, къабзэт, бжьэр зэрамыгъэпIейтеиным псори хуэщIауэ. Гувэжокъуэхэ я бжьаIуэм и зы къудамэ тафэмкIи щыIэт. Гу лъыттащ нэм къиплъыхьыр зэщIэзыщта гъэгъа лIэужьыгъуэхэр гъавапкъэ гъунэгъум хэтхэм зэремыщхьым. — Ахэр дэ езым жылэр тыдопхъэри къыдогъэкI, бжьэм фор пэрыхьэту къыпахын хуэдэу. Удз жылэр Белорус- сием гъэ къэс къыщыдощэху. Жылэр пIалъэкIэ дохъуэж, фо лIэужьыгъуэ нэхъыбэ диIэн папщIэ,- жиIащ МэчрэIил, щIалэ курытым. Унагъуэр зэлэжьыр абы и закъуэтэкъым. Техыныр духыу унэмкIэ дыкъашэжа нэужь, ХьэмтIакъэ хадэм дришэри гъэгъа телъыджэ дигъэлъэгъуащ — женьшеньт ар. ИлъэсипщIкIэ емызэшу елэжьат ар къыхуэкIын щхьэкIэ. КъуэкIыпIэ Жыжьэм дзэ къулыкъур щрихьэкIауэ къэкIуэж и къуэм елъэIури, мэз Iувым къыщIригъэхат а къэкIыгъэ гъуэтыгъуейм и лъабжьэр. Иджы ар хьэсэшхуэу хадэм итт, дэпым хуэдэу къэгъэгъауэ. Ари щIыхасар бжьэрт. ХьэрычэтыщIэ Iуэхум и купщIэр къызыгурыIуэ апхуэдэ унагъуэхэрат зэхъуэкIыныгъэхэм къадэкIуэ гугъуехьхэм жылагъуэхэр къизышыфри. Абы лъандэрэ куэд дэкIащ, я Iуэхуми зиужьагъэнщ, жысIэрт, а унагъуэр сигу къыщихьэкIэ. Зыри зыпэмыплъа Iуэхут иджыблагъэ абыхэм къалъыкъуэкIар. Апхуэдиз илъэскIэ зэтраублар зы махуэм дэкIуэдащ: я гъунэгъуу губгъуэм илэжьыхьым къытезэрыхьа мацIэр иукIын мурадкIэ триутха щхъухьым Гувэжокъуэхэ бжьэуэ яIэр напIэзыпIэм зэтриукIащ. Зыри бгъэкъуаншэ мыхъуну зэрымыщIэкIэ къэхъуа Iуэхущ. — Зы махуэкIэ ипэ иту хъыбар дагъэщIамэ, бжьэхэр Iутшынтэкъэ, — жеIэ къэхъуар гущIыхьэ зыщыхъуа ДжэбрэIил, я къуэ ещанэм. Ярэби, щIыр бэджэнду зытхэр емыгупсысыпхъэу пIэрэ шынагъуэншагъэ хабзэхэм япэщIыкIэ цIыхур щыбгъэгъуэзэн зэрыхуейм? ЗэкъуэшиплIми бжьэ матэу 200 гуэшауэ яIащ — зыри къэнакъым. Унагъуэм мы гъэм фIэкIуэдащ сом мелуани 2 — 3-р. Псом нэхърэ нэхъ щхьэжэр абыхэм я хэщIыныгъэр зыгъэзэкIуэжын хэкIыпIэ нобэкIэ зэрыщымыIэрщ. Псалъэм папщIэ, Голландие къэралыгъуэм щызокIуэ хабзэ дахэ: Iэщу е бжьэуэ щрырети, ар егугъуу зыгъэхъухэм лейуэ къэралыр яхуоупсэ, мэз лъапэхэр, псы Iуфэхэр абыхэм ягъэдахэу къелъытэри. ЩIыуэпс къабзагъэ зыбгъэдэлъ ерыскъыр зэпэубыда щыхъу зэманым, Гувэжокъуэхэ я бжьаIуэм хуэдэ жылагъуэ къэс ялъымысми, щIыналъэ псом зы итыныр куэд и уасэт. Лъостэн Музэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100297.txt" }
Псапэр зи псыпэ Илъэс куэд лъандэрэ цIыхум къыдогъуэгурыкIуэ диныр. Адыгэхэм ди хабзэм къекIу ислъам диныр псэкIэ къызэрытщтэрэ куэд дыдэ щIащ. Ар дин къабзэщ, пэжагъэмрэ гущIэгъумрэ ухуезыгъаджэщ. БлэкIа лIэщIыгъуэм и щэщI гъэ-хэм дин лэжьакIуэу ущытыныр шэкъэуэжым хуэдэт. Абы урилэжьэн дэнэ къэна, Алыхьыр уи фIэщ хъууэ укъащIамэ е утепсэлъыхьу зэхахамэ, бзэгу яхьырти, цIыхур зэуэзэпсэу дашырти, суди трамыщIыхьу ягъэтIысырт, уеблэмэ ягъэкIуэдырт. Мэжджытхэм я нэхъыбэри щIым щыщ ящIыжат. А зэманым Къызбрун ЕтIуанэ къуажэм (Ислъэмей зыфIащыжам) дэсащ цIыхухэм фIыуэ ялъагъуу, нэмысышхуэ хуащIу, щIыхь яIэу дин лэжьакIуэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ дин «зауэ» мыхъумыщIэм и жьыбгъэ гуащIэр зыщIихуа, зи унэм пэш щыхухэзыхыу цIыкIухэр хьэрыпыбзэм хуезыгъэджа, судыншэу ягъэтIысу илъэс 15-кIэ Сыбырым щыIа си адэ Чэрим. Зауэ нэужь лъэхъэнэм ефэндыуэ лэжьа Лэкъущо ХьэцIыкIу, Къардэн Чэрим, Шыгъэлыгъуэ Хьэчим, Пыхъ Къасым, Къылъшыкъуэ Iэлисахь сымэ щихъым хуэдэт. Абыхэм я къуэпсыр жыжьэ нэсырт, куэд ялъэгъуат, ящIэрт, губзыгъэхэт, гъащIэм куууэ хащIыкIырт, щIэблэри дин къабзэм хурагъаджэрт. ФIыуэ сощIэж абыхэм щхьэкIэ къуажэдэсхэм жаIэу щытахэр: «Абыхэм хуэдэ дин лэжьакIуэ, муслъымэн къабзэ ди къуажэм дэсакъым — апхуэдэхэр илъэс миным зэ къалъхуу аращ». Ди зэманыр къапщтэмэ, и цIэр фIыкIэ къипIуэ хъунущ илъэс 24-рэ хъуауэ Алъэсчырей куейм ефэндыуэ яIэ Мамхэгъ-хьэжы Iэхьед. Зэманыр дэтхэнэ зым дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ. Гъэхэр кIуа иужькIэ цIыхур и блэкIам ироплъэж-ри, къигъэщIам «уасэ» хуещIыж, псори и пIэм ирегъэтIысхьэж. Илъэсхэр кIуэхукIэ дэ губзыгъэ, насыпыфIэ дохъу. ДыщыщIалэращ дэ дыщыгурбияныр, дыкъыщызы-фIэщIыжыр, дыщыгушхуэр. ДыщыщIалэм, шэч хэмылъу, дегусысыртэкъым Алыхьым тыгъэ къытхуищIа гъащIэм и лъапIагъэм, ди къэкIуэ-нум, диным къигъэув къалэнышхуэ-хэр гъэзэщIэн зэрыхуейм. Тхьэм ирещIи, Мамхэгъыр щыщIалэм егупсысауэ къыщIэкIынукъым дин лэжьыгъэм, ауэ гу лъыптэрт абы и зэхэщIыкIыр, и къабзагъэр, и гуп-сысэкIэр адрейхэм зэремыщхьым. Абы езым мыпхуэдэу жиIащ: «Си гъащIэр Алыхьталэм къызэрысхуиухам хуэдэу щытщи, абы срокIуэ. ЦIыхур цIыху зыщIыр и лэжьыгъэрщ. А лъагъуныгъэр зимыIэр хъуркъым академики, еджагъэшхуи, космонавти, дохутыри, дин лэжьакIуи. Арыншэмэ, цIыхур махуэпщIэм хуэдэщ, лажьэркъым, зэманыр псынщIэу кIуэуэ унэм зэрыкIуэжыным щIэхъуэпсу аращ, йожьэ зыгъэпсэхугъуэ мазэр, пенсэр къэсыным. Ар гъащIэкъым». Мамхэгъым курыт еджапIэр къиухащ, Совет Армэм къулыкъу щи-щIащ. Унагъуэм я щIалэ закъуэм зыкъызэкъуихри, и адэ-анэм ядэIэпыкъуну, лэжьэну и мураду захуигъэзащ: «Автозапчасть» заводым лэжьакIуэ хуейуэ жаIащи, абы сыкIуамэ здэнут». Пэжыр жыпIэмэ, адэ-анэр зыпэмыплъа хъыбарым куэдым иригъэгупсысащ, упщIэ куэд я пащхьэ къиуващ. «Ар дауэ, абы фIы дыдэу школыр къиухащ, адэкIэ емыджэу лэжьэну ара? Зыгуэр щхьэусыгъуэ тщIыуэ щIедгъэгъуэжын?» Ауэ адэ-анэм апхуэдэу ящIакъым — щIалэм пэрыуакъым. Iэхьед къызэрыгуэкI лэжьакIуэм и фащэр щыщитIэгъа махуэм мурад иIащ и адэ-анэр имыгъэукIытэну, псоми щапхъэ яхуэхъуну, и къуажэгъухэм я напэр тримыхыну. ЩIалэр гумызагъэт, гурыхуэт, зэпIэзэрытти, гупым псынщIэу яхэзэгъащ. Куэд дэмыкIыу гу лъатэри, Iэпыдзлъэпыдзым ирагъэкIри, IэнатIэ иратащ. — Ей-и-и, щIалэ, иумыгъэлей, ущIимыхьэ, улъэпэрэпэнщ, укъыпэрыхужынщ куэд дэмыкIыу, Iэджэми я гугъащ ар, — языныкъуэхэм къыжраIа щхьэкIэ къимыгъанэу, и планхэр проценти 100-120-кIэ егъэзащIэ. Гъэхэр кIуэри, зэрыжаIэу, еджакIуэр и гъэсакIуэхэм ятекIуэжащ. Зы собранэ блэкIыркъым Мамхэгъым и цIэр фIыкIэ кърамыIуэу, саугъэтхэр къыхуамыгъэфащэу. «Автозапчасть» заводым брига- диру, иужькIэ Бахъсэн щIакхъуэ заводым мастеру, консерв заводым бригадиру Мамхэгъыр щылэжьащ. А IэнатIэ псори адрейхэм щапхъэ яхуэхъуу кърихьэлIащ пенсэм кIуэхукIэ. Ислъэмейр къуажэшхуэ хъуат, Бжьахъуэкъуей (къуажапщэр), Ислъэмей (къуажэкур), Алъэсчырей (къуажэкIэр) фIэщыгъэхэр яIэу. Мэжджытищ дащIыхьри, жэмыхьэтищ хъуати, ефэндыхэри ягъэуващ. Ипщэ жэмыхьэтым Пыхъ Мухьэмэдин, и кум Къундет Сафудин, ищхъэрэ нэхъ ин дыдэм Мамхэгъ Iэхьед. А жэмыхьэт нэхъ ин дыдэм ефэндыуэ ураIэну тыншкъым. Махуэ, жэщ, зыгъэпсэхугъуэ махуэ уиIэнукъым. Жэщым къыщагъэтэджыж куэдрэ къыщыхъу щыIэщ. ЛIэныгъэр псом нэхърэ нэхъ Iуэхушхуэщ. ЦIыхур и иужьрей «гъуэгуанэм» хуэгъэхьэзырыныр Iуэхушхуэщ. Мамхэгъыр здэщыIэ жэмыхьэтым хиубыдэхэм ящыщу сызэупщIахэм абы хужаIа пса- лъэ дахэхэр куэд мэхъу. Ауэ абыхэм жаIэр къызэщIэпкъуэрэ зы пщIыжу жыпIэмэ: «Iэхьед и псапэр псыпэм хуэдэу япэ итщ, хьэл-щэн дахэ хэлъщ, жумартщ, цIыху хэтыкIэ ещIэ, и Iуэху зэрихьэмкIэ жэмыхьэтым гукъеуэ яIэкъым. Хьилмышхуэ зыбгъэдэлъ дин лэжьакIуэщ». Жэщ-махуэ иIэкъым Iэхьед зыпэ-рыт IэнатIэм икIи и къалэн лъапIэр нэсу ирехьэкI. Ар нэщхъеягъуэ зиIэ дэтхэнэми дэIэпыкъуну мэпIащIэ, и къару щысхьауи зыми илъэгъуакъым. Махуэ псом «лэжьа» дыгъэр езэшауэ къухьэпIэм хуоплъэкI. Нэщхъеягъуэ зиIэ унагъуэм зэрыдэсыну зэманыр и кIэм нэблэгъауэ пщIантIэм дэсхэр къызэщIэтэджауэ Iэхьед дыуэ яригъэщIыжырт, абыхэм я пщIантIэм зы щIалэ къыщыдыхьам. Абы и нэ-гум нэщхъеягъуэр кърихыу, къыхудэшей къудейуэ жиIащ: «Си къуэшыр щыIэжкъыми, нэхъыжьхэм сыкъагъэкIуащ, къашэ жаIэри». Iэхьед нэщхъеягъуэ къызылъыкъуэкIам я дежкIэ иунэтIащ. ЦIыхур дуней къытохьэ. КъыхуигъэщIа и зэманыр къосри токIыж, текIыжыкIэри Iэджэ мэхъу. Зыр зэуэзэпсэу къытохуэри малIэ, адрейм машинэ къыжьэхоуэри, фэбжьышхуэм ехьыж. Иджы уз зэрыцIалэр етащи, ефэндым и къалэныр игъэзэщIэну щыдзыхьщIыгъуэджэ куэдрэ къохъу. ГуфI уимыIэу ахэр зыхуей хуэбгъэзэну тыншкъым. Сэ жысIэр аращи, ар пхузезыхьэ ефэндым къыпхуимыщIа щыIэкъым. Iэхьед и бынхэр зыщIипIыкIар цIыхум сэбэп яхуэхъунырщ, лэжьыгъэр фIыуэ лъагъунырщ. «Узыбгъэдэт IэнатIэр фIыуэ зумыхьэмэ, улэжьа-кIуэ пэжкъым, пхузэфIэкIыхукIэ цIыхум ядэIэпыкъун хуейщ», — жиIэрт Iэхьед и адэ Барэсбий. И адэм и ущиехэр игъэпэжащ Iэхьед. И бынхэри щапхъэ дахэм щIапIыкIащи, пщIэ зыхуащI защIэщ дэтхэнэри. Псоми IэщIагъэ зрагъэгъуэтауэ, зыхэтхэм фIыуэ къалъагъу. Езы Iэхьеди «УнасыпыфIэу зубжыжрэ?» жысIэу сыщеупщIам, мыращ жэуапу къызитар: «Си бынхэм зы махуэ гукъеуэ къызатакъым, сагъэукIытакъым. Аракъэ насып жыхуаIэжыр?» Еш зымыщIэ Iэхьед и IэнатIэ гугъум къыдэкIуэу щIэблэр еущий, егъасэ, диным и къежьэкIэмрэ и пэжымрэ къагурегъаIуэ, щIэщхъу зыпылъ Iуэхугъуэ зэрамыщIэным хуосакъ. Адэ-анэхэм ялъогъуазэ я гурылъ-гурыщIэхэр зрегъащIэ, гъуэгу пхэнжым щIэблэр щехъумэ. Дунейм цIыху пэжу, псапэ блэжьу утетыныр — ар къулыкъу инщ. Абы нэхъыфI сыт щыIэ? «КъБР-м щIыхь зиIэ и Iимам» цIэр фIащу щытамэ, си IитIри абы щхьэкIэ сIэтынт. Ди насыпщ Алъэсчырей жэмыхьэтым, Мамхэгъ Iэхьед цIыху пэжу, емышыжу щыпкъэу диIэщи. УзыншагъэфI иIэу, и мурадыр къехъулIэу, и лъабжьэр быдэрэ и дунейр нэхуу илъэс куэдкIэ иджыри псэуну сохъуэхъу Iэхьед. Берычэт бесын бжыдоIэ уи лэжьыгъэ мытыншыр гурэ псэкIэ ухуэпэжу зэрыбгъэзащIэм щхьэкIэ. Диным и нэмыс… ПщIэ ин зиIэу къекIуэкI а псалъэхэм я купщIэр сыт щыгъуи зыхъумэхэм икIи зыгъэпэжхэм ящыщщ Мамхэгъ Iэхьед, Ислъэмей къуажэр зэрыгушхуэр. КЪАРДЭН Мухьэмэд. Ислъэмей къуажэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100299.txt" }
ЕхъулIэныгъэхэм я бжыгъэм хохъуэ Японием и щыхьэр Токио щекIуэкI Олимп джэгухэм Урысейм щыщу хэт спортсменхэм зы махуэм нэхърэ адрейм нэхъ щIагъэхуабжьэу ехъулIэныгъэфIхэмкIэ дагъэгуфIэ. Евлоев Мусэ Олимп джэгухэм я 13-нэ махуэу щыта шыщхьэуIум и 4-м спорт гимнастикэмкIэ зэхьэзэхуэхэр зэхуащIыжащ. КъэпщытакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, урысей гимнаст цIыхубзхэм илъэс 29-рэ, цIыхухъухэм илъэс 25-рэ хъуауэ гуп зэпеуэхэм апхуэдэ ехъулIэныгъэ лъагэ къыщагъэлъэгъуэфакъым. Зи гугъу тщIы гупитIми Токио дыщэ медалхэр къыщахьащ. А унэтIыныгъэ дыдэрщ Нагорный Никитэ Урысейм домбеякъ медаль къыщыхуихьари. Сыт щыгъуи хуэдэу, лIы бланэхэр зыхуэщ Кавказыр зэрыщыIэр бэнакIуэхэм я утыку ихьэгъуэм къаригъэщIэжащ. Токио а хабзэр шыщхьэуIум и 4-м щигъэпэжащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дыщэ медаль къэзыхьа ингуш щIалэ Евлоев Мусэ. Европэми дуней псоми тIэунейрэ чемпион щыхъуа, илъэс 28-м ит лIыхъужьым килограмм 97-м нэхърэ мынэхъ хьэлъэхэм я зэбэныгъуэм Алексанян Артур щыхигъэщIащ. Абы хуэзэн ипэ Мусэ ятекIуащ Куржым щыщ Мелие Георгий, Венгрием къикIа Сёке Герго, Польшэм щыщ Мигалик Тадеуш сымэ. Урысейм и Президент Путин Владимир Евлоев Мусэ и текIуэныгъэмкIэ ехъуэхъуащ: «Олимп чемпион ухъун папщIэ къарууэ бгъэкIуэдам хуэфащэ ехъулIэныгъэ къыпIэрыхьэжащ. Иужьрей зэпеуэм апхуэдизыпщIэ зиIэ хьэрхуэрэгъум ущыпэщIэувэм, уэ къэбгъэлъэгъуащ лIыгъэрэ тегушхуэныгъэрэ зэрыпхэлъыр, къикIуэт жыхуаIэр зэрумыщIэр, текIуэныгъэм хуэгъэпса, къыхуэт зимыIэ бэнэкIэ Iэзагъ зэрыббгъэдэлъыр». «СынасыпыфIэу схужыIэнущ, — къарет жэуап журналистхэм езы Евлоевым. – Мыбы сыкъыщIэкIуар си олимп медалыр схьыжыну арати, ар къызэхъулIащ». ЩIалэм и пщэм дыщэ медалыр изылъхьар алыдж-урым бэнэкIэм тхьэмадэ щыхъужа, совет зэман лъандэрэ а унэтIыныгъэм зи цIэр хуабжьу щыIуа Мамиашвили Михаилщ. Алыдж-урым бэнэкIэрт утыку щихьар нэхъ пасэу зи гугъу фхуэтщIа адыгэ щIалэ Асэкъал Рустами. Узбекистаным къыбгъэдэкIыу олимп утыкум ихьа щIалэм мызыгъуэгукIэ медалхэм и насып хэмылъами, япэ зэбэныгъуэм 6:5-уэ абы хигъэщIащ Куржым щыщ Гобадзе Лашэ. Абы къыкIэлъыкIуа иужьрей зэпеуэм и Iыхьэ плIанэм Рустам къыщригъэкIуэтащ Хорватием щыщ Хуклек Иван. Зыр псоми ятокIуэри, дуней псом щагъафIэ спортсмен мэхъу. Адрейм бэшэчагъ къызыкъуехри, цIыху хуэдэ цIыху къыхокI. ТекIуэныгъэм уигъэлъапIэ къудеймэ, хэщIыныгъэм икIи уеузэщI. Асэкъалыр дуней псом къыщацIыху бэнакIуэщ, тренер гуащIафIэщ, пщIэ зиIэ цIыхущ. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100302.txt" }
ДяпэкIэ лъэпкъ газетхэр щхъуэкIэплъыкIэу къыдэкIынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыбзэхэмкIэ къыдэкI «Адыгэ псалъэ», «Заман», «Кабардино-Балкарская правда» къэрал газетищыр дяпэкIэ щхъуэкIэплъыкIэу дунейм къытехьэнущ. Илъэс куэд лъандэрэ адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ къыдэкI газетхэм я щIэджыкIакIуэхэм гу зэрылъатащи, хужь-фIыцIафэ теплъэ зиIэ гъэпсыкIэм къытекIыу плъыфэ зэмыщхьхэмкIэ тедза къыдэкIыгъуэр щIэщыгъуи къыпщохъу, къытехуэ тхыгъэхэми нэхъ узыIэпашэу уоджэ. «Адыгэ псалъэ» газетыр куэд лъандэрэ къызыхуэкIуэ, Зеикъуэ щыщ Лосэн Аксенэ зэхъуэкIыныгъэр зэригуапэр къыхэщу и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ: «Адыгэ газетыр ди унагъуэ къыщимыхьа, ар къыщытIэрымыхьа къэхъуауэ къысхуэщIэжыркъым. «Ленин гъуэгу» фIэщыгъэр иIэу иджырей газетыр ди адэм къыщыхуэкIуэкIэ, абы итыр сыту пIэрэ жытIэу ди фIэбэр мащIэу зэIэпытхырт, къытехуа тхыгъэхэм къанэ щымыIэу зыщыдгъэгъуазэрт. МахуэщIхэм деж щхъуэкIэплъыкIэу къыдэкI газетым тет тхыгъэхэр апхуэдизкIэ гукъинэжт икIи хьэлэмэтти, илъэс бжыгъэкIэ зепхьэ хъунут, дапщэщ къызэIупхми къыпхуэщхьэпэжыну. Газетым тезыдзэр зэрымащIэр сигу къызэреуэри жысIэну сыхуейщ. Адыгэм ди щхьэ бжыгъэм уеплъмэ, къызэрымыкIуэу мащIэщ. Газет политикэм зыгуэр хэлъхьэн зэрыхуейр, дауи, гурыIуэгъуэщ. «Адыгэ псалъэр» щхъуэкIэплъыкIэу къыдэкIыу щIидзэжащи, абы къытенэмэ, адыгэ цIыхухэм ящыщу куэд къришэлIэжыну икIи дригъэхьэхыжыну къыщIэкIынт. Газетыр ди лъэпкъ напэщ, ефIакIуэмэ, сыщыгуфIыкIыну аращ». ШУРДЫМ Динэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100306.txt" }
КIуэкIуэ Казбек цIыхухэм я упщIэхэм жэуап яритащ КIуэкIуэ Казбек сыхьэтитIрэ ныкъуэм къриубыдэу эфир занщIэкIэ жэуап яритащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм зыкъызэрыхуэгъэза упщIэхэм ящыщу 80-м. КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIыну «эфир занщIэм» зыщыхуагъэхьэзырым кол-центрым тхьэмахуэ зэхуакуитIым къриубыдэу къыIэрыхьат республикэм и УнафэщIым зэрызыхуагъазэ тхыгъэу минрэ ныкъуэм щIигъу. Республикэм щыпсэухэм къаIэтат Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр: узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмрэ, жылагъуэхэр псыкIэ къызэгъэпэща зэрыхъум, унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжынымрэ зэIузэпэщ щIынымрэ ятеухуат ахэр. «Эфир занщIэм» къриубыдэу тепсэлъыхьыну зыхунэмыса упщIэ псоми жэуап пыухыкIахэр ягъуэтынущ, цIыхухэм къагъэлъэгъуа гуныкъуэгъуэ куэд дыдэр гъэзэкIуэжыным щIадзауэ йолэжь. КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм фIыщIэ яхуищIащ социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым папщIэ икIи къыхигъэщхьэхукIащ «эфир занщIэр» дяпэкIи зэрырагъэкIуэкIынур. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100309.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Хабзэм щыщщ Насыпыр фызым къыдокIуэ «Жылэм ягъэпуда лIыр фызыфIым къыдехыжри, фызым игъэпуда лIыр жылэми къахудэхыжыркъым», — жеIэ нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна псалъэжьым. НэгъуэщI псалъэжь купщIафIэхэри щыIэщ: Бжэгъу закъуэ хэси, фызыфIым уигъэунэнщ. ФызыфI и Iэнэ хьэзырщ. ЛIым и узыншагъэр фызым и фIыгъэщ. Насыпыр фызым къыдокIуэ. Унэр зыгъэунэри благъэр зыгъэблагъэри фызырщ. Мыбыхэм наIуэ къащI унагъуэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, хабзэрэ нэмысрэ я жьэгу дэлъу псэуфын папщIэ унэгуащэм куэд дыдэ зэрелъытар. ЛIэщIыгъуэ куэдкIэ ямыгъэунэхуауэ жаIакъым «Бзылъхугъэр унагъуэм и шхэпсщ, лъэпкъым и къуэпсщ» псалъэ Iущхэр. АтIэ сыт хуэдэу унэгуащэр зэрыщытыпхъэр?! ЦIыхубзыр сыт щыгъуи нэхъ тэмакъкIыхьу, шыIэныгъэ хэлъу, хуэгъэкIуатэ ищIэу щытыпхъэщ. Абы къикIыркъым и щхьэр зыгуэркIэ игъэпудыжу. ЦIыхубзым и бзэ IэфIагъымкIэ, и гуапагъэмкIэ езыр зыхуей псор лIым иригъэщIэфу щытын хуейщ. Пэжщ, абы папщIэ Iуэхум акъыл хэлъу бгъэдыхьапхъэщ. ИувыкIыу макъ IэтакIэ цIыхухъум пэувыжыныр бзылъхугъэ щэнкъым, атIэ и щхьэр зэригъэпудыж хьэл мыхъумыщIэщ. Сыт хуэдэ Iуэху имылэжьми, дэнэкIэ зимыгъазэми, бзылъхугъэ щхьэгъусэм дахагъэр, къабзагъэр, гуакIуагъэр къебэкIыу щытыпхъэщ. Зэи мыубзэщхъужу цIыхубзым бгъэдэлъ Iэщэр и бзылъхугъэ щэнырщ. Фызыр абы кIэлъымыплъыж щыхъукIэ, ар унагъуэ зэтекъутэм и япэ лъэбакъуэщ. ЗэщхьэгъуситIым я зэхущытыкIэхэр, я тIасхъапIэ-быдапIэхэр цIыхубзым утыку ищI хабзэкъым. ЦIыхухъум апхуэдэу ищIэмэ, ар емыкIу дыдэщ. Зэдэпсэун щыщIадзагъащIэм щегъэжьауэ зэщхьэгъуситIым яку дэлъ пэжыгъэрщ абыхэм пщIэрэ щIыхьрэ зэрызэхуащI гъащIэ гъуэмылэу ягъуэтыжынури. Фызыр тхьэусыхэреймэ, унагъуэр гугъусыгъум хэкIыркъым. ЗэщхьэгъуситIыр зэгурыIуэмэ, Iуэху гуэша унагъуэм щызэдаIэкъым. Адыгэ нысэр и гуащэ-тхьэмадэ, нэхъыжь е хамэ щыту и бын едэхэщIэныр е ехъурджэуэныр къекIуркъым, апхуэдэщ абыхэм я пащхьэ и щхьэгъусэм щепсэлъэнри. Унэгуащэм щхьэгъусэм и дэтхэнэ Iуэхури диIыгъыу, абы и щIэгъэкъуэну, жыпIэнурамэ, гъащIэ гъуэгу баш хуэхъуфу щытыпхъэщ. ЗэщхьэгъуситIым нэхъ зэгъунэгъу дунейм теткъым, и нэчыхьым хуэпэжыныр къызэрымыкIуэ хабзэфIщ, унагъуэ, лъэпкъгъэдахэщ, я пщIэри лъагэу еIэт. Фызыр лIым дэтIысу шхэныр хабзэу щытакъым. Ар бзылъхугъэр ягъэикIэу аратэкъым, атIэ фIы псори зыхуагъэфащэ цIыхур и жьэ иущIу, зыгуэрым едзакъэу, жьэгъуашхэу ялъагъуну хуейтэкъыми аращ. Щхьэгъусэр къызэрыкIуэжынур зыщIэ бзылъхугъэр абы мыгъуэлъыжу ежьэмэ, гуапагъэщ, нэмысщ, пщIэ зэхуэщIынщ къикIыр. Шэрджэс Алий. Шхыныгъуэхэр Прунж кхъуейжьапхъэ Прунжыр зэхащыпыкI, фIыуэ ялъэсри, гъур хъуху ягъэгъущ. Прунж къабзэр яхьэжри, кхъузанэкIэ яухуэнщIыж. Шыуаным псы щIыIэ тIэкIу иракIэ, абы джэдыкIэ кугъуэ уда зыхэлъ шатэ хакIэри, дакъикъи 5 — 6-кIэ къагъэкъуалъэ. ИтIанэ а шатэ къэкъуалъэм, къыркуэ мыхъун щхьэкIэ зэIащIэурэ, прунж хьэжыгъэр хакIутэ. Шыуаныщхьэр ныкъуэтепIэу, зэзэмызи зэIащIэурэ, дакъикъэ 15 хуэдизкIэ къагъавэ, тхъу къыщIидзыху. Абы кхъуей цIынэ хагъэщащэ, зэIащIэурэ шыгъушыпс хакIэри, щыуаныщхьэр техауэ дакъикъи 4 — 5 хуэдизкIэ, хьэзыр хъуху, ягъажьэ. Кхъуейжьапхъэ жьар пщтыру тепщэчкIэ Iэнэм трагъэувэ. ПIастэ щIыIэ, чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ дашх. Шэ хуабэ трафыхьыж. Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): Псы щIыIэу — г 50 Шатэу — г 260-рэ ДжэдыкIэ кугъуэу — зы ныкъуэ Прунж хьэжыгъэу — г 15 Кхъуей цIынэу — г 15 Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз КIэртIоф хьэнтхъупс Шыуаным тхъу иралъхьэри, мафIэ щабэм тету ягъэткIу. Абы зэпэплIимэурэ упщIэта бжьыныщхьэ халъхьэри, зэIащIэурэ ягъэлыбжьэ, шыбжий сыр хьэжа хакIутэ, зэIащIэурэ тхъуэплъ дахэ хъуху ягъэлыбжьэ. Абы псывэ къагъэхьэзырам щыщ бэлагъкIэ зэIащIэурэ щIакIэ, зэIащIэурэ мафIэ щабэм тету дакъикъитI-щыкIэ къагъэкъуалъэ. Абы халъхьэ IупщIэурэ упщIэта кIэртIоф. Псывэ къэнар щIакIэжри, шыгъу хадзэ, зэIащIэ. Шыуаныщхьэр трапIэри, хьэзыр хъуху мафIэ щабэкIэ ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсыр пэшхьэкум къытрахри джэдгын, бурш хаудэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, дакъикъитхукIэ щагъэт. Пщтыру фалъэкIэ Iэнэм трагъэувэ. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх. Шати хэзыкIэ щыIэщ. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): Тхъууэ — г 40 Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 35-рэ Псывэу — г 900 КIэртIоф укъэбзауэ — г 200 Шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз. «Адыгэ шхынхэр» тхылъым къитхыжащ. ЗэвгъащIэ Жьы хъуа псалъэхэр Хьэлыуэ Iэпищ. ФэрэкI къызэуза сабийр хъужа иужькIэ, хьэлIамэ хуагъавэрт, сабийм и Iэпищым и пIэ тедзауи гъунэгъухэм хуахьырт, я сабийр зэрыхъужам, иджы укъыкIэлъыкIуэ зэрыхъунум и щыхьэту. Гъуэгудэгъазэ. Мыр адыгэхэм хьэщIэм хуащI пщIэм, кIэлъызэрахьэу щыта хабзэхэм ящыщ зыщ. Къуажэм дэкIыу гъуэгу техьам, хьэщIэ къакIуэу илъагъумэ, къигъэзэжырти къуажэм нэс къигъэблагъэт, хьэщIэм хуит къищIыжм , и гъуэгум пищэжырт. Дыщрыс. Пасэ зэманым щыгъуэ нысэр унагъуэ ихьа иужькIэ, и дыщым илъэскIэ щис къэхъурт, зыхыхьа унагъуэм уасэр зэхуахьэсыху. Гущэкъуибзэ. Адыгэхэм хабзэу къадекIуэкIыу щытащ зы жэщым жылэм къыдалъхуа щIалэ цIыкIумрэ хъыджэбз цIыкIумрэ я гущэкъу зэхурабзэу. Ахэр балигъ хъуа иужькIэ унагъуэ хъун хуейуэ арат. ФщIэн папщIэ Уасэр къыщежьар Пасэрей алыдж тхыдэтх Геродот (ди эрэм и пэкIэ 490 — 425) зэритхыжамкIэ, пасэрей Иллирим (Балканхэм щыIа къэралыгъуэщ) хабзэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIырт. Зи дэкIуэгъуэ хъуа хъыджэбзхэр ящэхурт. Абдежым уасэр къыщежьауэ хуагъэфащэ. * * * Дыгъэм и радиусыр ЩIым ейм нэхърэ хуэди 109-кIэ, и щхьэфэр ЩIым нэхърэ хуэдэ 1.300.000-кIэ, и хьэлъагъыр — хуэдэ мин 330-кIэ нэхъ инщ. Дыгъэм и хьэлъагъыр абы и хъуреягъыр къэзылъэтыхь планети 9-м я хьэлъагъым нэхърэ хуэдэ 750-кIэ нэхъыбэщ. Ар нэхъ тэмэму къыбгурыIуэн щхьэкIэ, мыпхуэдэ щапхъи къэпхь хъунущ. Зы хъарбызышхуэрэ хугу хьэдзэ цIыкIурэ зэбгъэдэплъхьэмэ, сыт хуэдэу зэхуэхъурэ? Апхуэдэщ Дыгъэмрэ ЩIымрэ. * * * Япэ спутникыр СССР-м 1957 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м иутIыпщащ. Спутник IэрыщI нэхъыбэ дыдэ щаутIыпщар «Плесецк» космодромырщ — спутник 1.452-рэ. ЕтIуанэ увыпIэр абыкIэ зыIыгъыр Байконурщ — 1.031-рэ, ещанэр — Канавералщ (США) — 590-рэ. * * * ТхакIуэ-фантаст Уэллс Герберт и романхэм къыщигъэлъэгъуат: 1889 гъэм къыдигъэкIам — Iэщэ папщIэу лазер къызэрагупсысынур, 1899 гъэм — видеомагнитофон зэрызэпкъралъхьэнур, 1901 гъэм — автомобилхэр уэрамхэм дэмыхуэж зэрыхъунур, 1903 гъэм — зауэхэм танкхэр куэду къыщагъэсэбэпу зэрыхуежьэнур, 1914 гъэм — атомнэ Iэщэ шынагъуэр къызэрагупсысынур. Дохъушокъуэ Синэ. Теплъэгъуэхэр Налшык къалэр мэщIэращIэ. ГушыIэхэр Йокъури йожьэж Фэтэрым хэлъ уэзджынэр къозу. Бжэр Iуахмэ, лIы мыцIыху щытщ. — Фи кIрантIым псы къыдэжрэ? — Хьэуэ… — Щхьэщытхъухэ я унагъуэракъэ мыбы щыпсэур? — Хьэуэ, ахэр зэрыIэпхъуэрэ илъэс мэхъу… — ГъэщIэгъуэнщ мы цIыхухэр! Сантехникыр къраджэри, езыхэр йокъури йожьэж! Псэущхьэ тхьэмыщкIэ — Уа си гъунэгъужь, уи фызыр зэпымычу апхуэдизу зытекIиер хэт? — Ди хьэрщ. — Сыту псэущхьэ тхьэмыщкIэ ар. Ар унэм щIидзу IункIыбзэIухри къытрихыжыну абы дыгъуасэ жриIэрт. Билетыр хьэм ейщ МафIэгум и вагон зэпыхьэпIэм зылI итщ, хьэ абрагъуэ щIыгъуу. ГъуэгупщIэр зыта-зымытахэр къэзыпщытэр лIым щыбгъэдыхьэм, абы билетыр къригъэлъэгъуащ. — Хьэми къыхуэпщэхун хуеящ билет, — жиIащ кондукторым, зэрымыарэзыр и фэм къиIуатэу. — Ар хьэм ейуэ аращ. — Ууейр-щэ? — Сэ сиIэкъым. Ухуеймэ сикIынщ, мыр къыпхуизнэнщи. Бзэ IэфIу ущытын хуейщ — Си гъащIэм слъэгъуакъым жэмым жэщ-махуэм шэ литрищэ къыщIэкIыу. Ар дауэ къохъулIэрэ? — Бзэ IэфIагъырщ псори зэлъытар. Пщэдджыжьым Iуэм сыщIохьэри: «Сыт, си мамыжь, нобэ тщIэнур? Шэ къызэптыну хьэмэрэ лы сщэну?» — жызоIэри соупщI. Псалъэжьхэр Гум фIэIэфIыр нэм фIэдахэщ А сигу, зыIэжьэ, а си жьэ, зыубыд. Абдж щыкъуейм лъапцIэу ухэмыувэ. Закъуэныгъэ нэхърэ — Iэл къыбдис. Абы бгым зыщидзыжмэ, уэ вийкIэ увэну? («Умыфыгъуэ, умыижэ» жыхуиIэщ). Нанэм щIыгъур дадэщ. Адыгэ и хьэщIэ быдапIэ исщ. Гъунэгъур унэгъущ, къигъунэгъужыр гъунэгъущ. Нэгум щIэтыр нэм хуэдэщ. АдрыщIым ущIэдэумэ, мыдрыщIыр къыплъысынщ. Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, щIэ зэрымысым насып илъкъым. Ажалым пхъуантэ кIуэцIми укъыщигъуэтынщ. Насыпыр фызым къыдокIуэ. Гъатхэ дыгъэ си нысэ типси, бжьыхьэ дыгъэ сипхъу типсэ. КъуэфI и анэ гуфIэ щигъащIэркъым. Ажалым умылъыхъуэ — езым укъигъуэтынщ. Гум фIэIэфIыр нэм фIэдахэщ. Акъыл зимыIэм насып иIэкъым. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 1. Чыцэм къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэ гъуэжь гуащIэ цIыкIу. 4. «СыкIуэнт нэхъ псынщIэу схузэфIэкIым — мычэму си шыр согъэлъэхъу, … уэ фIыкIэ уигу сыкъэкIым, си гъуэгу кIыхь хъуну къызэхъуэхъу» — КIыщокъуэ Алим и усэ цIэрыIуэм щыщщ. 7. Мынэхъыжь, мынэхъыщIэ. 8. ЦIыху мелуанийм щIигъу щыпсэу, США-м щыщ къалэшхуэ Нью- … 10. Егъэлеяуэ ерыщ. 11. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 12. … зимыIэм дзажэпкъ иIэщ. 15. Адыгэ цейм и гупэм щыщ Iыхьэ. 16. Муслъымэн лъэпкъышхуэ. 19. Хьэмбылу лъэпкъ, цIыхум хущхъуэу къагъэсэбэп. 20. Шатэ е тхъуцIынэ гъэвэжам и щхьэм къищI дагъэ. 21. Шым и кIуэкIэ. 22. Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ. 25. Урысей Федерацэм и щIыналъэшхуэ, областхэр, крайхэр, республикэхэр къызэщIиубыдэу. 26. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлIэ псэущхьэ шынагъуэ, щхьэ зыбжанэ фIэту. 30. Нартыхур бгъэлъалъэмэ, ар къонэ. 32. Уэрэд зыбжанэ зытраусыхьа къуалэбзу лъакъуэ псыгъуэ кIыхь, пщэ кIыхь. 33. Нартыху щхьэкIэм къыдидз гъэгъа. 34. Къуажэм … щыхуэхъум, шум нэхъ хуэм зищIащ. 36. Шэнт … , е щIакхъуэ … 37. Езыр-езыру къэкI, кIэртIофым ещхь хадэхэкI. ЦIыхум яшх. 38. Щыгъупщэх, зи гум зыри изымыубыдэф цIыху. Къехыу: 1. Джэдкъазым, къуалэбзум я дамэхэм пхъашэу тетщ. 2. «Уэзы …» — адыгэ уэрэдыжь цIэрыIуэ. 3. Ди унэр … Iэджэу зэтетщ. 4. ЦIыхубз зэфIэнаитIым я зым адрейм иреутIыпщ: «Уи … къысщыхуэ!» 5. Уэшхрэ уэсрэ зыщIэт жьапщэ ин. 6. Хьэхуу ят мыхабзэ щыгъын. 9. АпхуэдизкIэ хьэкIэпычщи, гу кIуэм … къыкIэреуд. 13. Зеикъуэ къуажэм щыколхоз тхьэмадэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Анзор. 14. Мэжаджэ, хьэтыкъ, чыржын, … 15. Адыгэ шхыныгъуэ ираф. 17. Зи тхьэмпэхэр щхъуантIэ-хужьыфэ, тхылъымпIэ къызыхах жыг. 18. Псыежэхым и адрей лъэныкъуэмкIэ къыщылъ щIыналъэ. 23. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ цIыхур щыту малIэ. 24. Iэпхъуамбапщэм и кIыхьагъым къиубыд пщалъэ. 27. Хьэиху- … 28. Зэпымыууэ уэс зытелъ бгышхуэ. 29. Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщ къуажэ. 31. ЦIыху залым, фIэкIыпIэншэ. 33. Уэрэд гууз. 35. Уеплъмэ — … , уеджэмэ — дэгу. 36. Шым и … макъ бом къыщIэIукIащ. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Бадзэуэгъуэм и 31-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 1. Хъарып. 4. Куэбжи. 7. Сыр. 9. Тебэ. 10. Гурыхь. 11. Мыщэ. 12. Акъыл. 13. Блэ. 15. ЛаскIэ. 17. Къулъшыкъу. 19. Жэп. 20. Гъудэ. 21. Хъуэт. 24. Щэбэт. 25. Пщащэ. 26. КIэн. 28. Хьэсэ. 30. УмыщI. 32. ЩIалэ. 33. Бицу. 34. Шхуэ. 35. ЩтапIэ. 36. Фэдэн. Къехыу: 2. Акъбащ. 3. Псыбыб. 4. Кургъуокъуэ. 5. Жырыкъ. 6. Щтамылэ. 8. Щхьэлыкъуэ. 14. Ландыщэ. 16. КIапсэ. 18. Лъэхъуэщ. 22. ПщыхьэщIэ. 23. ЛъэгущIэуэ. 26. КIэрашэ. 27. Нэбгъэф. 29. Сэлэт. 31. Маисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100313.txt" }
ЩIалэгъуэ Жэрдэм и гур щыIэу КъэбэрдеймкIэ и гур щыIэу Сэрахъэ Алан илъэс 11-кIэ Москва къалэм щыпсэуащ, технологие IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылэжьащ, и щIэныгъэм APPLE, HP, DELL, NETAPP, CISCO, ADOBE, COREL компаниехэм щыхигъэхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжа нэужь, сабийхэм пасэу зыщрагъэужь, «Я сам» зыфIища IуэхущIапIэр къызэIуихри, игъэлэжьащ илъэситIкIэ. 2018 гъэм къыщыщIэдзауэ 2020 гъэ пщIондэ Сэрахъэр «Черкесский ренессанс» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щытащ. Иджыпсту ар КъБР-м «Шынагъуэншэ республикэ» и къэрал IуэхущIапIэм и лэжьакIуэщ, республикэм и «Глонасс» РНИЦ-м и унафэщIщ. — Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуэжыныр зы махуэ гуэрым нэху сыкъекIыу асыхьэту си щхьэм къихьа Iуэхутэкъым. Москва илъэси 8 хуэдэкIэ сыщылэжьа нэужьщ республикэм сыкъэкIуэжыну сызэрыхуейм сегупсысу щыщIэздзар, — жеIэ Алан. — Ауэ «дэнэ сыщылэжьэнур?» упщIэм сыкъызэтригъэувыIэжырт. Ауэрэ унагъуэ сыхъужащ икIи сабий дгъуэта нэужь, нэхъ куууэ сегуп- сыс хъуащ а Iуэхум. ИкIэм-икIэжым, са-бийр цIыкIу щIыкIэ дыкъэкIуэжыным тезухуащ, ныбжьыщIэхэм пасэу зыщрагъэужь центр къызэIусхыныр си мураду. ЕтIуанэ сабийр къыщытхэхъуэм, ар махуэ 40 зэрыхъуу, кхъухьлъатэм дыкъитIысхьэри дыкъэлъэтэжащ. Ар щIыжысIэращи, дыкъыщалъхуа Хэкум дыкъыщIэкIуэжар псом япэу сабийхэращ, ахэр зыщыщ лъэпкъым хэсмэ, я бзэрэ я хабзэрэ ящIэжу къэхъумэ нэхъ тфIэфIу аращ. Абыи къыщымынэу, Москва къалэшхуэм елъытауэ, узэрыбауэ хьэуа къудейр ди лъахэм нэхъ щыкъабзэщ, ерыскъыхэкIхэми нэхъ къэуат ящIэлъщ. А псор зэхэслъхьэжри, щIэблэр уи унэжь къыщыхъуныр зэрынэхъапэр къызгурыIуащ. Алан, зэрыжытIащи, фIэгъэщIэгъуэну щолажьэ КъБР-м «Шынагъуэншэ республикэ» и къэрал IуэхущIапIэм. Къэрал транспортхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу школ автобусхэм, дэIэпы- къуэгъу псынщIэм, мафIэсгъэункIыфI IэнатIэм я машинэхэм кIэлъоплъ, бжыгъэ зыужьыныгъэр ирагъэфIакIуэ. IэщIагъэлIхэм абдеж цIыхухэм яхуэщхьэпэну, я Iуэхухэр ядэзыгъэпсынщIэну сервисыщIэхэр къыщагупсыс, псалъэм папщIэ, абыхэм ящыщ зыщ «яндекс транспортым» и Iуэхутхьэбзэхэр илъэсым и кIэ пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэтраухуэну зэрамурадыр. «ЦIыхухэм сэбэп дазэрыхуэхъун лэжьыгъэщ дызыпэры-тыр. Абы къыхэкIыу къалэнхэр, къапщтэмэ, сыдихьэхыу согъэзащIэ, щIэ гуэрхэр гъащIэм зэрыхэтпщэнми иужь дитщ», — жеIэ Сэрахъэм. ЩIалэм и зэфIэкIыр «Шынагъуэншэ республикэ» IуэхущIапIэм къызэрыщысэбэпыр и фIыгъэу жыпIэ хъуну къыщIэ-кIынщ ЕгъэджэныгъэмкIэ Москва академием и юридическэ факультетым щIэныгъэ зэрыщызригъэгъуэтамрэ менеджеру лэжьэн щIидзэу, къалэшхуэм IT технологиехэм хэпщIауэ зэрыщылэжьамрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Сэрахъэ Алан жылагъуэ Iуэхухэми жыджэру зэрыхэтыр, псом хуэмыдэу «Черкесский ренессанс» щIыналъэ зэгухьэныгъэм къызэригъэ-пэщ лэжьыгъэм и гуащIэ зэрыхилъхьэр. ИлъэсипщI хъуауэ Iуэху щхьэпэ куэд къызэзыгъэпэщ зэгухьэныгъэм, зэрыжытIауэ, и унафэщIуи лэжьэну хунэсащ ар. Фигу къэдгъэкIыжынщи, IуэхущIапIэр япэ илъэсиплIым щIалэгъуалэм я зэхыхьэпIэ хуэдэу лэжьауэ арат, иужькIэ абы и къалэнхэми зиубгъуауэ, республикэм хабзэм тету щылажьэ зэгухьэныгъэ хъуащ. — КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ, ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэхэм дадолажьэ. Дызыдэлажьэр щIалэгъуалэращи, нэхъыщхьэу зытедгъащIэри абыхэм щIэныгъэ зэредгъэгъуэтынымрэ зэрызаужьынымрэщ. Псом хуэмыдэу егъэджэныгъэ, псапэ зыпылъ Iуэхухэр къызэрызэдгъэпэщыным дыхущIокъу, — дыхегъэгъуазэ Сэрахъэм. Иужьрейуэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэ-кIа Iуэхухэм ящыщщ анэдэлъхубзэмкIэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ къызэрызэрагъэпэщар. Аргудан къуажэ школым япэу щрагъэкIуэкIа а зэхьэзэхуэр апхуэдизкIэ псоми я гум дыхьати, щIыналъэ мыхьэнэ игъуэтри, Къэбэрдей-Балъкъэр псор къызэщIрагъэубыдащ. Уеблэмэ, абдежи къыщымынэу, Iуэхум къыхашащ Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгей республикэхэри. Зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэр мы гъэм ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ коронавирусым зиубгъун зэрыщIидзэжам и зэранкIэ, икIи щогугъ бжьыхьэм ар ирагъэкIуэкIыну. — «Черкесский ренессанс» зэгухьэныгъэм телефоным требгъатхэ хъууэ гуэдзэнхэр зэхигъэуващ, «Я благодарю», «Псапэ» фIэщыгъэхэр яIэу. «Псапэ» гуэдзэныр зытещIыхьар дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ цIыхухэм защIэзыгъэкъуэну хуейхэм абдеж ахъшэ щызэхуахьэс хъуну аращ, — жеIэ Сэрахъэм. — Нобэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, сабийхэм щхьэкIэ ахъшэ зэхудохьэс жаIэу, цIыхухэр къэзыгъапцIэхэр куэд дыдэ хъуащ. Дэ ди зэгухьэныгъэм зэхуихьэс мылъкур зыхуэдизымрэ ар къызэрагъэсэбэпамрэ щынэры- лъагъущ ди гуэдзэным. А Iуэхур КъБР-м ЮстицэмкIэ, Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэхэм я нэIэм щIэту йокIуэкI. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, шынагъуэншагъэмкIи цIыхухэм я дзыхь къыдагъэзынымкIи. КъищынэмыщIауэ, къурмэным, нэщI- икIыж махуэшхуэхэм дежи псапэ дощIэ: Iэщ, мэл доукI, нэхъ хуэмыщIахэм яхудогуэш. 2020 гъэм коронавирусым зыщиубгъуа пIалъэм къриубыдэу, зэгухьэныгъэм ерыскъыхэкIхэр зэрылъ пакет миным нэс игуэшащ. Ар къыхэкIащ зэгухьэныгъэм зэпымыууэ зыкъыщIэзыгъакъуэхэм я ахъшэм. «Я благодарю» гуэдзэныр теухуащ цIыху щхьэхуэм е сабий гуэрым и узыншагъэр иригъэфIэкIуэжын папщIэ зыхуэныкъуэ мылъкур зэхуэхьэсыным. Иджыри мыпхуэдэ мурад куэд диIэщ, ауэ зэкIэ коронавирусыр зэран мэхъу, — жеIэ Алан. КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу. Iэпщэ Алим: Италием и щыIэкIэ-псэукIэм ухуегъэпабгъэ гъуазджэм Зи гугъу фхуэтщIыну щIалэм иджы япэу дытетхыхьу аращ, ауэ биографие купщIафIэ иIэщ, уеблэмэ Италием къыщыдэкI «La Stampa» газетым и напэкIуэцIхэм и цIэр тетыну хунэсащ. Iэпщэ Алим КъБР-м и Музыкэ театрым уэрэд щыжеIэ, баритонщ. Ар фIыуэ ялъэгъуащ игъэзащIэ лэжьыгъэхэм гури псэри зэрыхилъхьэм щхьэкIэ. Абыхэм ящыщщ Фигаро (Моцарт Вольфганг Амадей и «Свадьба Фигаро» оперэм), Тонио (Леонкаваллэ Руджеро — «Паяцы»), Микеле (Пуччини-Джакомо — «Плащ»), Старый цыган (Рахманинов Сергей — «Алеко»), Жермон (Верди Джузеппе — «Травиата»), Эбн-Хакиа (Чайковский Пётр — «Иоланта»), Томский (Чайковский Пётр — «Пиковая дама») партиехэр. Джэрмэншык къуажэм къыщыхъуа щIалэм КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтыр 2009 гъэм къиухащ. 2012 — 2015 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым щеджащ, 2015 — 2018 гъэхэм и щIэныгъэм щыпищащ Глинкэ и цIэр зезыхьэ, Новгород Ищхъэрэ дэт къэрал консерваторэм — Урысейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, профессор Лившина Светланэ и деж. 2017 гъэм «ЩIалэгъуалэ оперэ студие» Iуэхум хыхьэу, Iэпщэ Алим Ростропович Мстислав и цIэр зэрихьэу Новгород Ищхъэрэм дэт филармонием и симфоние оркестрым и гъусэу Пучин-ни Джакомо и «Плащ» оперэм Микеле и партиер щигъэзэщIауэ щытащ. А гъэ дыдэм и щэкIуэгъуэм ар хэтащ «Новая опера» Москва театрым и концертмейстер пажэ, Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ Маргулис Аннэ и мастер-классхэм. Абдеж Алим франджы макъамэхэм нэхъ куууэ зыщыхигъэгъуэзащ икIи франджыбзэкIэ уэрэд зэрыжаIэм и щэхухэр зригъэщIащ. Апхуэдэу абы къехъулIащ, псалъэм папщIэ, Гуно Шарль и «Фауст» оперэм хэт Валентин и каватинэр. КъыкIэлъыкIуэу ар хэтащ нэгъуэщI мастер-классхэ-ми: Мариинскэ театрым и концертмейстер, Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ Соболевэ Иринэ иригъэкIуэ-кIами, РСФР-м и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Лейферкус Сергей къызэригъэпэщами. 2018 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м Глинкэм и цIэр зэрихьэу Новгород Ищхъэрэ дэт къэрал консерваторэм и оперэ студием Iэпщэм щигъэзэщIащ Леонкаваллэм и «Паяцы» лэжьыгъэм хэт Тонио и партиер. А илъэс дыдэм Уфа къалэм Шаляпиным и щIыхькIэ щызэхэта етIуанэ дунейпсо зэхьэзэхуэм Iэпщэр дипломант щыхъуащ, 2018 — 2019 гъэхэм Темыркъан Юрий и щIыхькIэ Налшык къалэм щекIуэкIа дунейпсо фестивалхэми зыкъыщигъэлъэгъуащ. 2019 гъэм щIышылэм и 23-м Iэпщэ Алим Италием щыIэ OLTREILTEATRO MANAGEMENT дунейпсо агентствэм иригъэблэгъауэ щытащ Империя къалэм (Италие) щекIуэкIыну мастер-классхэм икIи мэлыжьыхьым и 9-м къыщыщIэдзауэ 17 пщIондэ ар хэтащ Империе, Монте-Карло (Монако) къалэхэм къыщызэрагъэпэща концертхэм. Бадзэуэгъуэм и 22-м Италием нэгъуэщI и зы къалэми, Себорга, Iэпщэм уэрэд щигъэзэщIащ. 2019 гъэм Алим ягъэ-кIуауэ щытащ Театр Иным щекIуэкI «New Opera World» гъэмахуэ оперэ-симфоние лабораторэм хэтыну. Покровскэм и цIэр зезыхьэ камернэ утыкум абы щигъэзэщIащ «Иоланта» оперэм хэт Эбн-Хакиа партиер. Ардыдэр абы утыку къыщрихьащ Рязань къалэм щекIуэкIа, Урысей къалэжьхэм я дунейпсо фестивалым. 2019 гъэм уэрэджыIакIуэм къыхуихуащ Чайковскэм, Рахманиновым, Римский-Корсаковым я романсхэр Ниццэ (Франджы) Эффруси де Ротшильд и виллэм, щекIуэкIа концертым щигъэзэщIэну. 2020 гъэм и щэкIуэгъуэм ар пашэ щыхъуащ Грознэ къалэм Магомаев Муслим и фэеплъу щызэхэта фестиваль-зэпеуэми. 2021 гъэм гъатхэпэм и 24 — 25-хэм абы Баронрэ Жермонрэ я партиехэр КъБР-м и къэрал Музыкэ театрым и утыку кърихьащ. Зэрытлъагъущи, Iэпщэ Алим зыIэригъэхьа ехъу- лIэныгъэхэр мащIэкъым икIи ахэр щыхьэт тохъуэ щIалэм и зэфIэкIым, ар и лэжьыгъэм зэрегугъур. Ауэ и Iуэху еплъыкIэхэри зыхуэдэр тфIэгъэщIэгъуэну абы упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ, ди гуапэщ къыджиIахэм фыщыдгъэгъуэзэну. — Алим, школ нэужьым псом япэу филолог IэщIагъэрщ зэбгъэгъуэтар. Уэрэд зэрыжыпIэнур хьэкъыу къыщыбгурыIуар сыт щыгъуэ? — Нэхъ ипэкIэ музыкэр къысфIэмыIуэхущэ хуэдэу щытащ. КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтыр къэзуха нэужь, уеблэмэ бухгалтеруи седжэжыну си гуращэу КооперацэмкIэ, экономикэмрэ правэмкIэ Белгород университетым Налшык къалэм щиIэ къудамэм сыщIэтIысхьэжауэ щытащ. Музыкэм си гъащIэр еспхыну сигу къэмыкIыххэми, абдеж ирихьэлIэу оперэм мащIэу сыдихьэхат. Ауэ, сэ езым згъэщIэгъуэжу, псори зэрыхъун хуейм хуэдэу зэхуэхъуащ. 2008 гъэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм сылъатэрт. Уэгум сыхьэт бжыгъэфIкIэ дитыну къыспэщылът. Кхъухьлъатэм Iэмал щыдиIэт фильм деплъыну е узыхуей макъамэр тебухуэу тхьэкIумэIулъкIэ уедэIуэну. Си пащхьэм къит экраным сеплъри, Паваротти Лучано и цIэр къэслъэгъуащ икIи седэIуэну мурад сщIащ. КъыкIэлъыкIуа сыхьэт 12-м къытезгъэзэжурэ седэIуащ абы игъэзащIэ арие нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщу 20-м нэблагъэм… США-м сыкъикIыжри, оперэм сыдихьэхыпащ. А гъуазджэм щыцIэрыIуэ артистхэмрэ композиторхэм-рэ къэслъыхъуэурэ седаIуэрт, зэзгъапщэрт, сэри абыхэм ещхьу зыгуэрхэр згъэзэщIэну сыпылът. Ауэ нотэ лъагэхэм сыщынэ- сым, си мурадхэр псори лъэлъэжырт. КъызэрыщIэкIамкIэ, си макъыр баритонт, тенор макъамэхэм сащIыпэмылъэщри арат. Ауэ абы щыгъуэм а псом хэсщIыкIыртэкъыми, а IэщIагъэм си пхъэ къызэрыщимыкIынум сегупсысырт. АрщхьэкIэ зэманыр кIуэхукIэ, уэрэд жысIэну сызэрыщIэхъуэпсми хэхъуэрт. 2011 гъэм Налшык къалэм концерт щитыну къэкIуащ Образцовэ Еленэ. Абы семыплъынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Концертыр зытехуа махуэ, мазэ, илъэс бжыгъэми зы къару гуэр хэслъагъуэрт — 11.11.11. ЗыщызмыгъэнщIу уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм седэIуащ концерт псом. Абы и ужькIэ нэхъ мыхъуми сеплъыжын хуейтэкъэ си зэфIэкIыр здынэсынум?! Чэнджэщ къызатащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист КъуийцIыкIу Валерий деж сыкIуэну. Пэжыр жысIэнщи, сыукIытэрт, си ныбжьыр илъэс 24-м нэсауэ IэщIагъэ щIэрыщIэу зэрызэзгъэгъуэтыным и ужь сызэрихьам щхьэкIэ. Сигу къэкIыжырт апхуэдэ дыдэу фут-бол джэгуным гувауэ, илъэс 15 сыхъуауэ, щIэздзауэ зэрыщытар (адрей сабийхэр абы илъэситхухэм хыхьэмэ) икIи абы зыри къызэримыкIар. Си Iуэхур абы езгъэщхьырти, уэрэд жыIэнми сыкъыкIэрыхуауэ къысщыхъурт. КъуийцIыкIу Валерий зыхуэзгъэзэну сыздэкIуэм, къызжиIэнури арауэ си гугъэт. АрщхьэкIэ, сызэримыгугъауи, абы къызжиIащ Iэмал имыIэу си макъым селэжьын, уэрэд жыIэным ар хуэзгъэхьэзырын зэрыхуейр. КъуийцIыкIу Валерий къыздэлажьэурэ еджапIэ щIэтIысхьэгъуэр къэблэгъащ. Унафэ гуэрым сы-къытеувыIэн хуейт: «Илъэс 25-рэ сыхъуащ, — жысIэрт, икIи, дызэрихабзэу, адэкIэ сызэгупсысыпхъэр еджэ-ныр зэ сухыу, унагъуэ сщIын зэрыхуейрт. АрщхьэкIэ си хъуэпсапIэр сфIытекIуэри, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым сыщIэтIысхьащ. Абы илъэситIкIэ сыщеджэри, Глинкэ и цIэр зезыхьэ, Новгород Ищхъэрэ дэт къэрал консерваторэм зезгъэдзыжащ. Ар къэзухащ 2018 гъэм. — Сыт хуэдэ лэжьыгъэкIэ утыку укъихьа? — Консерваторэм и еплIанэ курсым сыщIэсу Пучинни Джакомо и «Плащ» оперэр дгъэуват, абы сэ роль нэхъыщхьэр — Микеле и партиер — щызгъэзащIэу. А оперэр фIыуэ слъагъурти, си насып кърихьэкIауэ къызолъытэ еплIанэ курсым сыщIэсу ар згъэзэщIэну Iэ- мал сызэриIар. Спектаклыр щыдгъэуват Ростропович Мстислав и цIэр зэрихьэу Новгород Ищхъэрэм дэт филармонием. — НэхъыфIу плъагъу партиехэр уиIэ? — УэрэджыIакIуэхэм а упщIэм зэщхьу жэуап ират хабзэщ, «иджыпсту сызэлэжьырщ», — жыхуаIэу. Ауэ, сиIэщ, дауи, сэ згъэзэщIэну сфIэфI партиехэр. Ахэр, зэрыхабзэу, композитор хэхахэм епхащи, си дежкIэ нэхъ тыншыр абыхэм я цIэ къисIуэнырщ. Зы баритон уэрэджыIакIуэ щыIэу си фIэщ хъуркъым Верди Джузеппе фIыуэ имылъагъуу. Си хъуэпсапIэщ а композиторым и партие псори жысIэну. Абыхэм ящыщу къыхэзгъэщынут: Риголетто («Риголетто»), Ди Луна («Трубадур»), Дон Карло («Эрнани»), Дон Карлос («Сила судьбы»), Амонасро («Аидэ»), Яго («Отелло») партиехэр. Апхуэдэуи сыхуейт Пуччини Джакомо и «Тоска» оперэм Скарпие и партиер щызгъэзэщIэну. ПцIы хэмылъу, сфIэфIщ Чайковскэм и «Евгений Онегин», «Пиковая дама», «Иоланта» лэжьыгъэхэри. СыщIохъуэпс зэгуэр Вагнер Рихард и IэдакъэщIэкIхэм щыщи згъэзэщIэну. Ауэ абы ейхэр нэхъ балигъ лэжьыгъэу къызолъытэри, иужькIэщ. — Оперэ уэрэджыIакIуэ-хэм узыдэплъей, щапхъэ пхуэхъу гуэрхэр яхэт, Алим? — Пэжыр жысIэнщи, апхуэдэхэр куэд мэхъу. Ауэ нэхъыбэу ахэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэмрэ икухэмрэ хиубыдахэращ. Баритоным и дежкIэ куэд жызыIэ цIэхэм ящыщщ Руффо Титтэ, Бастианини Этторе, Меррилл Роберт, Протти Альдо, Бек-ки Джино сымэ. КъищынэмыщIауэ, къыхэзгъэщынут Карузо Энрико, Монако Дедь Марио, Корелли Франко сыми. Апхуэдэуи бзылъхугъэхэм ящыщу къыхэзмыгъэщу слъэкIынукъым оперэм и гуащэ Каллас Марие, Нильсен Биргит, Димитровэ Генэ, Прайс Леонтинэ. Мыпхуэдэ цIыху цIэрыIуэхэм иджыри пщIы бжыгъэ къапыбгъэувэфынущ, къапщтэмэ. — Лъэпкъ уэрэдхэм дауэ уахущыт? — Лъэпкъ уэрэдхэм щыщ гуэрхэри згъэзэщIэфыну къыщIэкIынт, хэт ищIэрэ, мыгувэу жысIэнкIи хъунщ. Ауэ, абы сызэреплъращи, нобэ дызэрыгушхуэнщи, лъэпкъ уэрэдхэр зыгъэзэщIэн диIэщ куэду. Абы къыхэкIыу куууэ а Iуэхум зыдезгъэхьэхыну сыхуейтэкъым. Къапщтэмэ, мы гъэм КъБР-м и Музыкэ театрым и лэжьэгъуэр къызэIуихыжмэ, Молэ Владимир «Къамботрэ Лацэрэ» и оперэм елэжьын щIэддзэнущ. Апхуэдэуи иджыпсту зы уэрэд сиIэщ анэдэлъхубзэкIэ се-лэжьуи, къызэхъулIэмэ, зэман гъунэгъум зыщIыпIэ щызгъэзэщIэнкIи хъунщ. — Оперэм и хэкуу къалъытэ Италием ущыIащ. Уи лэжьыгъэм ар зыгуэркIэ сэбэп хуэхъуауэ къып- щыхъурэ? — Италием и къалэ зыбжанэм уэрэд щыжысIащ, Себорга пщы къэралыгъуэри яхэту. Псом япэу цIыхухэр гуапэу къызэрытIущIар си гум къинэжащ. Италием езым и щыIэкIэ-псэукIэм ухуегъэпабгъэ гъуазджэм, щэнхабзэм ухэтыну. Абы зыкъызэрыщызгъэлъэгъуамрэ къызэрыщысIущIамрэ тызо- щIыхьри, гъуэгуанэ сызыте-хьамкIэ сыщымыуауэ къысщохъу. Къэралхэм я гъунапкъэхэр къызэIуахыжмэ, сыщогугъ адэкIи Европэм зыкъыщызгъэлъэгъуэным пысщэну. — Уи мурадхэр къохъулIэну ди гуапэщ, Алим. Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ. IэщIагъэхэр Куэд зыхузэфIэкIыну узыщыгугъхэр Шыпш Жаннэ къиухащ Налшык къалэм дэт гимназие №29-р. ИужькIэ ар Ипщэ федеральнэ университетым, Архитектурэмрэ гъуазджэхэмкIэ академием (Ростов къалэм) щеджащ, архитектор IэщIагъэ зригъэгъуэтащ. Жаннэ и диплом лэжьыгъэр зытриухуауэ щытар къат куэду зэтет унэм и проектырт. Ар къыхахауэ щытащ Дон Iуфэ Iус Ростов къыщызэрагъэпэща выставкэм щагъэлъэгъуэну. — IуэхущIапIэм и проектым сы-щелэжьым къалэн нэхъыщхьэу зыхуэзгъэувыжар пэш кIуэцIхэр зэгъэзэхуауэ къызэгъэпэщыным и закъуэтэкъым, атIэ гулъытэшхуэ хуэсщIат япэ къатищыр зыми емыщхь сабийхэм зыщрагъэужь IуэхущIапIэу къызэрагъэсэбэпыфынум, — жеIэ Жаннэ. ЛэжьыгъэмкIэ хъыджэбзым и мурадащ зи зыужьыныгъэм ныкъусаныгъэ иIэ сабийхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащIыным цIыхубэр къыхуриджэну. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, Шыпш Жаннэ и щIэныгъэм щыпищащ Прагэ дэт Техникэ университетым и магистратурэм. Щеджэ зэманым ар Дубай стажировкэ ягъэкIуащ икIи и япэ проектыр зытриухуар хьэхэмрэ джэдухэмрэ папщIэ хьэщIэщым и проектырщ. КъыкIэлъыкIуэ илъэситхум Жаннэ щылэжьащ «Zebra Projects» британ компанием. Абы ар щелэжьащ Next, Mothercare, Victorias Secret, Hamleys, Topshop Topman, Monsoon бренд цIэрыIуэхэм дизайн проектхэр яхуэщIыным. ИужькIэ Шыпшым езым IэщIагъэлI гуп зэщIигъэуIуэри, елэжьын щIидзащ электрокъарур мащIэу къыщыбгъэсэбэпыфыну таунхаусхэм. Жаннэ и проектхэмкIэ унэ щащIащ Урысейми Хьэрып Эмират Зэгуэтхэми. Иджыпстуи абы и гупыр и гъусэу дунейпсо проектхэм йолэжь. 2020 гъэм абы Налшык къалэм къыщызэIуихащ архитектурэ ухуэныгъэхэм я проектхэр зэращIым студентхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ щыхигъэгъуазэ, «Архитектурэ Хаб» зы-фIища платформэр. Абы екIуалIэхэр мы зэманым йолэжь Ныкъуэдыкъуэхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ центрым и проектым. АЛЪХЪО Дыжьын.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100317.txt" }
КъБР-м и ТВ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 9 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) 6.30 «Си къуажэ». Ташлы-Тала къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 6.55 ЩIэныгъэ зиIэм Iэужь иIэщ». Филологие щIэныгъэхэм я кандидат ЩакIуэ Марьянэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. «Лъэбакъуэ зырызурэ» (12+) 9.05 «ЩIалэгъуэ». ЩIалэгъуалэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.00 «ЕджэкIэ нэгузыужь» (6+) 17.40 «Спорт утыку цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.55 «Псори дяпэкIэщ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.50 «Хабзэр яхъумэу» (12+) 20.00 «КъэкIуэнур зейхэр». Дизайнер Шормэн Амырхъан (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.40 «Гъунапкъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.10 «ПщIэну щхьэпэщ» (12+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Гъубж, шыщхьэуIум и 10 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.20 «КъэкIуэнур зейхэр». Дизайнер Шормэн Амырхъан (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.00 «ПщIэну щхьэпэщ» (12+) 7.30 «Хабзэр яхъумэу» (12+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «Гъунапкъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.50 «Спорт утыку цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.05 «Псори дяпэкIэщ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.00 «Анэдэлъхубзэ». Телевикторинэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.35 «Гухэлъ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.05 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.50 КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. «ЩIэин» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.25 КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля уэрэд итхахэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.00 Щукин Борис и цIэр зезыхьэ театральнэ институтым и балъкъэр студиер къэзыухахэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 11 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля уэрэд итхахэм теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 6.50 КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. «ЩIэин» (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.25 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 Щукин Борис и цIэр зезыхьэ театральнэ институтым и балъкъэр студиер къэзыухахэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.00 «Гухэлъ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.00 «Хьэндырабгъуэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 17.35 «Сабийхэм я дуней» (6+) 18.00 «Нарт Дэбэч и щIэблэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.50 «ФIым телэжьэн» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.15 «Хэкуэгъухэр». Къэзахъстаным и лъэпкъхэм я ассамблеем хэт Хочиевэ Людмилэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.50 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». «Хор Турецкого» гупым я унафэщI Турецкий Михаил (12+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Махуэку, шыщхьэуIум и 12 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Хэкуэгъухэр». Къэзахъстаным и лъэпкъхэм я ассамблеем хэт Хочиевэ Людмилэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 6.50 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». «Хор Турецкого» гупым я унафэщI Турецкий Михаил (12+) 7.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «ФIым телэжьэн» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.45 «Нарт Дэбэч и щIэблэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 9.05 «Сабийхэм я дуней» (6+) 17.00 «СабийгъэгуфIэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 17.25 «Щытхъу зиIэ дохутыр» (12+) 17.50 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.45 «02» къулыкъущIапIэм хъыбар фегъащIэ» (16+) 19.55 «Ди псэлъэгъухэр». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Бицу Анатолэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.40 «Зэманым декIуу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.10 «ЩIэплъыпIэ» (12+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Мэрем, шыщхьэуIум и 13 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Ди псэлъэгъухэр». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Бицу Анатолэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.00 «Зэманым декIуу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.30 «02» къулыкъущIапIэм хъыбар фегъащIэ» (16+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «ЩIэплъыпIэ» (12+) 8.50 «СабийгъэгуфIэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 9.15 «Анэшхуэм и таурыхъхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 17.00 «Ухуейуэ щытмэ…» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.30 «Усэхэр зэрыт тетрадь». Къармэ Iэсият (12+) 17.45 «УзэщIакIуэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.05 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.45 «МэкъумэшыщIэм и зы махуэ». УнащIэ Мусэ, Псыхъурей къуажэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.10 «IэщIагъэм хуэпэжу». Тэрч сымаджэщым и хирург Бахъсэнокъуэ З. (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.40 «Ди щIэинхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.10 «Спектр». КъБР-м къыбгъэдэкIыу Къэрал Думэм хэт сенаторым и дэIэпыкъуэгъу ГъукIапщэ Iэсхьэд (12+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Щэбэт, шыщхьэуIум и 14 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Ди щIэинхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 6.45 «МэкъумэшыщIэм и зы ма-хуэ». УнащIэ Мусэ, Псыхъурей къуажэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.10 «Усэхэр зэрыт тетрадь». Къармэ Iэсият (12+) 7.25 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «IэщIагъэм хуэпэжу». Тэрч сымаджэщым и хирург Бахъсэнокъуэ З. (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.30 «Спектр». КъБР-м къыбгъэдэкIыу Къэрал Думэм хэт сенаторым и дэIэпыкъуэгъу ГъукIапщэ Iэсхьэд (12+) 9.00 «Ухуейуэ щытмэ…» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.00 «Нанэ и псэ» (адыгэбзэкIэ) (6+) 17.30 «Билляча». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.50 «Гум имыхуж сатырхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.05 «ЩIылъэмрэ уэгумрэ ятеухуауэ» (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.00 «Узэгугъур къогугъуж» (12+) 19.25 «Си хъуэпсапIэм сыхуэкIуэу». Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актриса ХьэхъупащIэ ФатIимэ (12+) 20.05 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (16+) 20.25 «ГъащIэ». Лэжьыгъэм и ветеран Бозиевэ ФатIимэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.45 «ФIыцIэрэ хужьрэ». Байзуллаев Алий (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.10 «ХъыбарыщIэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 21.25 «Бзылъхугъэм и сурэт». Алтуевэ Хьэлимэт (12+) Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 15 6.00 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (16+) 6.15 «Си хъуэпсапIэм сыхуэкIуэу». Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актриса ХьэхъупащIэ ФатIимэ (12+) 7.00 «ФIыцIэрэ хужьрэ». Байзуллаев Алий (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.25 «ХъыбарыщIэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 7.40 «Бзылъхугъэм и сурэт». Алтуевэ Хьэлимэт (12+) 8.10 «Узэгугъур къогугъуж» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.35 «Билляча». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 16.00 «Дыгъэщыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 16.35 «Адэ-анэхэр щIоупщIэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.00 «ХъуэпсапIэм дамэ къызытригъэкIахэр» (12+) 17.25 «Гъуэгуанэхэр». Шэджэм псыкъелъэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.50 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.35 «Ди псэлъэгъухэр». Цыщ Къазбэч. Адыгэ Рспубликэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.10 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ». КъБР-м и цIыхубэ артист Бачиев Ахъмэт и фэеплъу (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.55 «ТВ-галерея». Театрымрэ киномрэ я режиссёр Понаровский Антон (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэ-хуаку хъыбархэр» (16+) ОТР Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 9 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) 6.30 «Зэманымрэ цIыхумрэ». УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Попович Виктор (12+) 7.10 «Гъуэгуанэ тхыгъэхэр» (12+) 7.25 «КъызыхуигъэщIа IэщIагъэр». УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и отличник Гъащтэ Татьянэ (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. «Зэныбжьэгъугъэм и концерт». «Кабардинка», «Балкария» къэфакIуэ гупхэм я концерт. Япэ Iыхьэ (12+) 17.00 «Сабийхэм я дуней» (12+) 17.25 «БлэкIам щыщ теплъэгъуэхэр». Телефильм (12+) 17.45 КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. «Зэныбжьэгъугъэм и концерт». «Кабардинка», «Балкария» къэфакIуэ гупхэм я концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 18.25 «Ковид-19»-м и зэманым (12+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Гъубж, шыщхьэуIум и 10 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Сабийхэм я дуней» (12+) 6.45 «Ковид-19»-м и зэманым (12+) 7.05 «БлэкIам щыщ теплъэгъуэхэр». Телефильм (12+) 7.25 «ПщIэну щхьэпэщ» (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. «Зэныбжьэгъугъэм и концерт». «Кабардинка», «Балкария» къэфакIуэ гупхэм я концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 17.00 «Хабзэр яхъумэу» (12+) 17.15 «Зэманым екIуу». (12+) 17.45 «Щэныр и пэм щегъэжьауэ и кIэм нэс» (12+) 18.15 «Зэманымрэ цIыхумрэ». УзэщIакIуэ Меликовэ-Абаевэ Хьэнифэ (12+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 11 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Хабзэр яхъумэу» (12+) 6.25 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 6.40 «Щэныр и пэм щегъэжьауэ и кIэм нэс» (12+) 7.10 «Зэманымрэ цIыхумрэ». УзэщIакIуэ Меликовэ-Абаевэ Хьэнифэ (12+) 7.40 «Ракурс» (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 Сабий стоматологием теухуауэ (12+) 17.00 «Щытхъу зиIэ дохутыр» (12+) 17.20 «Партитура» (12+) 17.45 «Зи гъащIэр IэщIагъэм тезыухуахэр». Сэралъп Борис (12+) 18.15 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». Адыгэ фащэ зыд Бицу Залинэ (12+) 18.35 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Махуэку, шыщхьэуIум и 12 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 6.25 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». Адыгэ фащэ зыд Бицу Залинэ (12+) 6.45 «Зи гъащIэр IэщIагъэм тезыухуахэр». Сэральп Борис (12+) 7.15 «Партитура» (12+) 7.40 «Щытхъу зиIэ дохутыр» (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «ДяпэкIи сыпсэунущ». Кулиев Къайсын (12+) 17.00 «КъэкIуэнум и дуней» (12+) 17.30 Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу цирк студие къыщызэзыгъэпэщауэ щыта Якуэкъутэ Владимир (12+) 18.00 СурэтыщI Кахадо Зака и сурэтгъэлъагъуэ (12+) 18.35 «02» къулыкъущIапIэм хъыбар фегъащIэ» (16+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Мэрем, шыщхьэуIум и 13 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «02» къулыкъущIапIэм хъыбар фегъащIэ» (16+) 6.25 Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу цирк студие къыщызэзыгъэпэщауэ щыта Якуэкъутэ Владимир (12+) 6.55 «КъэкIуэнум и дуней» (12+) 7.25 СурэтыщI Кахадо Зака и сурэтгъэлъагъуэ (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «Камерата» ансамблым и концерт. Япэ Iыхьэ (12+) 17.00 «Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьым и вагъуэ». Жангуразов Ибрэхьим (12+) 17.15 «Адыгейм и вагъуэ» (12+) 17.50 «ЦIыхур тхыдэм къызэрыхэщыжыр». УзэщIакIуэ, журналист Дым Iэдэм (12+) 18.25 ДНК-м теухуауэ щIоупщIэ (12+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Щэбэт, шыщхьэуIум и 14 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 6.35 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Мечукаев Азрэт (12+) 7.05 «Адыгейм и вагъуэ» (12+) 7.35 «ЦIыхур тхыдэм къызэрыхэщыжыр». УзэщIакIуэ, журналист Дым Iэдэм (12+) 8.10 «Камерата» ансамблым и концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 17.00 КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. «Лъэбакъуэ зырызурэ» (12+) 17.45 КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис къызэ-ралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «ЦIыху. ТхакIуэ. ЩIэныгъэлI». СтIол хъурей (12+) 18.25 «Нэхумрэ плъыфэмрэ». Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, урысей щIэныгъэлI-кавказыдж Къумахуэ Мухьэдин. Япэ нэтын (12+) Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 15 6.00 Шекспир Уильям. «Король Лир». Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым игъэува спектакль (12+) 7.55 КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис къызэ-ралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «ЦIыху. ТхакIуэ. ЩIэныгъэлI». СтIол хъурей (12+) 8.35 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр». ДыщэкI Газаев Омар (12+) 17.00 «ЩIэныгъэм щыпхиша лъэужь». Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щомахуэ Алексей (12+) 17.20 «ЩIэплъыпIэ» (12+) 17.50 «Нэхумрэ плъыфэмрэ». Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, урысей щIэныгъэлI-кавказыдж Къумахуэ Мухьэдин. ЕтIуанэ нэтын (12+) 18.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 9 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ) 9.30 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь. Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 «Узыншэу фыщыт» (12+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (I2+) Гъубж, шыщхьэуIум и 10 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ) 9.30 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь. Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 «Дыгъуасэ. Нобэ. Пщэдей». Мэзхъумэ Джэрыджэ Хьэсанш (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 11 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ) 9.30 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь. Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 «Уэрэдыр гъащIэм и гуфIэгъуэщ». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Теппеев Алим (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.45 Сабий ныкъуэдыкъуэхэм яхуэгъэза псапащIэ Iуэху (6+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) Махуэку, шыщхьэуIум и 12 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ) 9.30 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь. Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 «Ди къежьапIэхэр». Нарт къеджэныгъэхэр (адыгэбзэкIэ) (2+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) Мэрем, шыщхьэуIум и 13 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 ЩIыпIэ зэман. Кавказ Ищхъэрэм щыхъыбархэр 9.15 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ) 9.30 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь. Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 ХудожествэхэмкIэ Урысейм и академием хэта Акъсырэ МуIэед къызэралъхурэ илъэси 90 щрикъум ирихьэлIэу. «Ди щIэинхэр» (12+) 17.30 «Афганистаныр дигу къыдогъэкIыж» (12+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (12+) Щэбэт, шыщхьэуIум и 14 8.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 8.20 «Зэманым и лъэужьхэр». Къэбэрдей судым и япэ унафэщIу щыта Жанхъуэт Ку-шыку. ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+) Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 15 8.00 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100324.txt" }
ФIы къытхуэзыщIа цIыху цIэрыIуэ УФ-м и цIыхубэ артист Сокуров Александр илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым абы щиIэ лъэщапIэм щагъэлъэгъуащ режиссёр цIэрыIуэм и фильм нэхъыфIхэр. -Сокуров Александр и фильмхэм дуней псор, блэкIар, нобэрейр, къэкIуэнур къызэщIаубыдэ, — жиIащ КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI ХьэIупэ ДжэбрэIил. — Александр и фIыгъэкIэ республикэм и цIэр жыжьэ зыгъэIуа, зэфIэкI зиIэ режиссёрхэр къытхэхъуащ. КъБКъУ-м и унафэщI Алътуд Юрэ и псалъэм къыхигъэщащ Сокуров Александр и гъэсэнхэм я лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ щэнхабзэ зэхыхьэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, Сокуровым ди республикэм, университетым хуищIэ лэжьыгъэм дяпэкIи пищэну зэрыщыгугъыр. Абы Сокуровым хуэгъэза псалъэ гуапэхэр жиIащ, и зэфIэкIыр мыкIуэщIу, гъащIэ узыншэ, кIыхь къигъэщIэну ехъуэхъуащ. Сокуров Александр и лэжьыгъэхэм ящыщу ягъэлъэгъуащ «Русский ковчег» (2002) фильмыр. Урыс тхыдэм илъэс 300 гъуэгуанэ къыщызыкIуа Эрмитажым и залхэм зэпэIэщIэу зыщуплъыхьынымкIэ IэмалыфIу къалъытэ лэжьыгъэр, дауи, куэдым ягу дыхьащ. Щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ зэрыщызэхэухуэнам и лъэныкъуэкIэ зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ фильмым щыIу макъамэми зи гугъу ищI зэманым (1917 гъэм къэхъуа революцэм ипэкIэ) зи тетыгъуахэм я щыгъынхэми, сурэтыщI гъуазджэм и фIыпIэхэмкIэ пэшхэр зэрагъэщIэрэщIами узыIэпашэ. Абы къыкIэлъыкIуащ режиссёрым и «Солнце», «Франкофония» фильм гъэщIэгъуэнхэр, и гъэсэнхэм ягъэува «Они ушли от меня», «Счастливая семья», «Антигона» лэжьыгъэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, пшыхьхэм щагъэлъэгъуа фильмхэр Интернетым зэрыщумыгъуэтынур. Сокъурым и гъэсэнхэр дунейпсо кинофестивалхэм пашэ зэрыщыхъур, дамыгъэ лъапIэхэр къызэрыщыхуагъэфащэр, республикэм и цIэр фIыкIэ хамэ къэралхэм зэрыщагъэIур гуапэщ. Сыту фIыт, абы иублауэ щыта лэжьыгъэм ди университетым щыпищэну тезыгъэгушхуэн гулъытэ игъуэтамэ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100326.txt" }
Адыгэ-абазэ кхъухьыжьыр щIэрыщIэу яухуэжащ Зы лъэпкъышхуэм и къудамитIу къалъытэ адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я тхыдэм къыхощ пасэ зэманым псэуа зэлъэпкъэгъухэм хым узэрытетыф кхъухьхэр Iэзэу ящIу зэрыщытар. Илъэс 200 ипэкIэ адыгэ-абазэхэм яIащ хым зэрыщызауэ кхъухь псынщIэхэр. Абхъаз республикэм щыIэ «Апсны» этнопаркым апхуэдэ зы щIэрыщIэу зэригъэпэщыжауэ, иджыблагъэ Рицэ гуэлым триутIыпщхьэну зегъэхьэзыр. Кхъухьым и теплъэр зэфIигъэувэжыну къалэн зыщызыщIыжар абхъаз сурэтыщI Джапуа БетIалт. Чертёжхэм яужь ихьэн ипэкIэ, щIалэр урысхэм, тыркухэм я тхыдэ лэжьыгъэхэм, сурэтыжьхэм, щIэныгъэлI тхыгъэхэм куэдрэ яхэплъащ. Абы и нэгум къызэрыщIэувам тету иджыблагъэ Петрозаводск щащIа кхъухьыр шыщхьэуIум и 5-м Абхъаз щIыналъэм нашэсыжащ. Ауэ абы ипэкIэ, шыщхьэуIум и 4-м, къэмэрыр (арат апхуэдэ кхъухьхэм зэреджэу щытар) КъуэкIыпIэ музейм Адыгэ республикэм щиIэ къудамэу Мейкъуапэ дэтым щIагъэувэри, цIыхухэм ирагъэлъэгъуащ. Iуэху дахэм къыпэджащ Адыгэ республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурати. «Адыгэ-абазэхэм я тхыдэм псэ къыIукIэжа хуэдэщ, мы кхъухьым ущеплъкIэ. Абы икIи Iэмал къыдет ди япэ итахэм ябгъэдэлъа зэфIэкIым и лъагагъыр зыхэтщIэну», — щетх адыгей лIыщхьэм и инстаграм напэкIуэцIым. «Нобэ дыкъызрихьэлIар тхыдэм къыхэнэну зыхуэфащэ Iуэхушхуэщ, — жеIэ Мейкъуапэ щекIуэкI гъэлъэгъуэныгъэм хэта, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэ Мэрзей Аслъэнбэч. — Мы кхъухьым адыгэ кхъухькIи абазэ кхъухькIи уеджэ хъунущ. Абы и хъыбарым алыдж-урымхэм я зэманым щыщIэдзауэ ущрохьэлIэ тхыдэ лэжьыгъэхэм». ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, абхъаз сурэтыщI Джапуа БетIал илъэс тIощI хъуауэ щIэхъуэпсырт ар зэфIигъэувэжыну. Иджы и мурадым IэкIэ теIэбащ. «Мы Iуэхум и фIыгъэкIэ адыгэхэмрэ абхъаз-абазэхэмрэ зэрыубыдыж къудейкъым, — жеIэ Аслъэнбэч. — Кхъухьым кIуэдыжыпэным нэса лъэпкъыжьым и хъугъуэфIыгъуэ къигъэщIэрэщIэжащ. Адыгэ-абхъазхэм хытет хъунщIакIуэхэр (пиратхэр) зэрыса кхъухь лIэужьыгъуэ зэраIэр псоми ящIэ. Ауэ хы щIыIум мылъку къыщаугъуейуэ тета псоми хъунщIакIуэкIэ уеджэныр къезэгъыркъым. Кхъухьыпщхэм зызрапщыту щытар езыхэм я хэгъэгухэм къебий къэралхэм я кхъухьхэрт». Къэмэрым метр 14, 5-рэ и кIыхьагъщ, метри 2,5-рэ и бгъуагъщ. Абы дыщIыгъущ белхьэкхъуафэу 14, и мачтэм метриплI и лъагагъщ, мотор хэтщ. Езыр уэздыгъеймрэ жыгеймрэ къыхэщIыкIащ, зы сыхьэтым къриубыдэу километр 12 — 14 псынщIагъ зэпичыфынущ. Абы зэуэ итIысхьэ хъунущ цIыху 50-м нэс. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100328.txt" }
Дохутырым и Iуэху бгъэдыхьэкIэм куэд елъытащ Республикэ сымаджэщым и хирург Iэзэ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Щэмей Заур Мурадин и къуэм фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ операцэ сищIу си узыр зэрысщхьэщихам папщIэ. КъБР-м и адрей сымаджэщхэми, нэгъуэщI хэгъэгухэм щыIэхэми сыщIэлъащ икIи операцэ сащIащ. Заур сыпэщIэхуа нэужь, абы и Iуэху бгъэдыхьэкIэри псэхупIэ къызэзымыт узыфэм ещIэн хуейуэ къилъытэхэри адрейхэм къазэрыщхьэщыкIым гу лъыстащ икIи къысхуищIа псомкIэ хуабжьу арэзы сыкъищIащ. Ар и IэщIагъэм хуэIэзэ дохутырыфIу къызжаIэри саунэтIати, сыхущIегъуэжакъым. ЗэпIэзэрыту, гуапэу сригъэблагъэри, къызэплъащ икIи пIалъэ къыхимыгъэкIыу операцэ сищIащ. КъыжыIапхъэщ операцэм и пэкIи и ужькIи ар набдзэгубдзаплъэу къызэрысхущытар, и къалэн псори сымаджэм игу дыхьэу зэригъэзэщIар, дохутырыфIым и мызакъуэу, цIыхуфIу зыкъызэрызигъэлъэгъуар. Мы коронавирус уз зэрыцIалэр щыета лъэхъэнэм, цIыхухэр сымаджэщ кIуэну щышынэ зэманым срихьэлIами, Республикэ сымаджэщым щIэт псоми фIыщIэ ин къалэжьу я IэнатIэм зэрыпэрытым, сымаджэр зэхащIыкIыу, ар зыхуеину псомкIи къэзэрагъэпэщу зэрыщытым гу лъыстащ. Фи газетыр къэзгъэсэбэпу Щэмей Заур къысхуищIа Iуэхутхьэбзэ щхьэпэм, си узыншагъэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэм гуапагъэкIэ сыпэджэжыну сыхуейщ. И щхьэкIэ, и унагъуэкIэ и мурад псори Тхьэм къыхузэпищэ, и IэщIагъэм хъер куэд къыпэкIуэрэ цIыхубэр къыхуэхъуахъуэу илъэс куэдкIэ Тхьэм игъэлажьэ, игъэузыншэ. Мер Рустам. Нарткъалэ
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100331.txt" }
Фейдэм тращIыхьмэ, хэщIыр нэхъыбэнущ ЭкологиемкIэ Урысей зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Iэрыпщ Аслъэн зэрытепсэлъыхьамкIэ, ди псы ежэххэмрэ щIыщIагъ псыхэмрэ нэрылъагъуу нэхъ мащIэ мэхъу. Иужьрей илъэс 20-м спутникымкIэ траха сурэтхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Кавказ къуршым и мыладжэхэр процент 30 — 40-кIэ нэхъ цIыкIу хъуащ, уеблэмэ ткIупахэри яхэтщ. Мы зэрыщытым хуэдэу дунейр нэхъ хуабэ хъууэрэ екIуэкIмэ, апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ псом лъэIэсынущ. Псыр мащIэ зэрыхъурэ мэзылъэхэми хэщIащ, апщIондэху абы щыпсэу псэущхьэхэр нэгъуэщI щIыпIэхэм мэIэпхъуэ. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIамкIэ, илъэсипщI зыбжанэм къриубыдэу а щытыкIэ дыдэм иувэнущ Ставрополь щIыналъэри. — Дэ нэгъуэщI мыхъуми къуршхэм иджы-ри дыкъахъумэ, мохэр тафэм тесщ, нэхъ щIэхыу къум щIыпIэ хъункIэ шынагъуэу. Абы и щапхъэ нэсщ мы илъэс зэкIэлъыкIуэхэм дей жыгхэм ягъуэта щытыкIэр. Нэхъ быдэрэ хэплъыхь нэхъ зымыщIрэ къэгъуэтыгъуейуэ, дэни къыщыкIыу щыта дэшхуей жыгхэр сымаджэу хуежьащ: иджыри мыхъуа щIыкIэу, дэм и кур мэуфIыцIри, фын щIедзэ, хущхъуэгъуэу къагъэсэбэпу щыта и тхьэмпэхэм хагъуэ хе- дзэ. Апхуэдэ жыг Iэчлъэчым щIыуэпсым къыхаутIыпщхьэ фIей псор щыхуэмыхьыжкIэ, адрей къэкIыгъэ цIыкIуфэкIухэм сыт къапэплъэр? ЩIыуэпсым къылъыс лейм и къежьапIэхэм ящыщщ щIым телэжьыхьхэр езым я хэхъуэм фIэкIа нэгъуэщIым зэремыгупсысыр. Лъэхъэнэ блэкIам апхуэдэ щыIакъым: щIым гъабгъэ дихырт, гъавэмрэ хадэхэкIымрэ зытрасэ хьэсэхэр пIалъэ пыухыкIам тету яхъуэжырт, абыхэм я дэтхэнэ зыми щIым зы гъэм фIэкIуэдар етIанэгъэм трасам къыхилъхьэжын хуэдэу. Иджыпсту илъэситху, илъэсих зэкIэлъыкIуэм ар зымыхъуэжхэр нэхъыбэщ. Нэхъ шынагъуэжщ, пщэдей къапигъаплъэр ямыщIэу, нобэ къагъэсэбэп щIыгъэпшэр щIэрыщIэхэри. Шэрэдж Дисэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100334.txt" }
ЗыплъыхьакIуэхэм къахохъуэ АБХЪАЗ. Иужьрей илъэс 30-м елъытауэ, мы гъэм зыплъыхьакIуэхэр куэдкIэ нэхъыбэ щыхъуащ Абхъазым. 2020 гъэм шыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэ хъуху, урысей-абхъаз гъунапкъэр зэIуахыжа нэужь, турист мин 600 ихьащ къэралым. 2019 илъэс псом абы щыхьэщIар турист мелуаным щIигъущ. Иджы Минтуризмэм къызэрилъытэмкIэ, цIыху мелуанрэ ныкъуэм зыщагъэпсэхунущ псэм и лъахэу къалъытэ республикэм. 2021 гъэм и накъыгъэм цIыху мин 30-кIэ нэхъыбэ кIуащ Абхъазым, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм еплъытмэ, мэкъуауэгъуэм а бжыгъэр нэхъыбэж хъуащ. Мы мазэми цIыху Iув щызэтрихьауэ йокIуэкI. АР-м туризмэмкIэ и министр Хишбэ Теймураз зэрыжиIамкIэ, Гагрэ, Пицундэ, Новый Афон я зыгъэпсэхупIэхэм щIэзт туристхэр. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100336.txt" }
Олимп дыщэр Кавказым щолыд Токио щекIуэкI гъэмахуэ Олимпиадэр иухыным къэнэжар махуищ къудейщ. Иужьрей зэхьэзэхуэхэм абы хуабжьу гухэхъуэу къыщыхожаныкI Кавказ щIыналъэм икIа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ. Медалхэм я бжыгъэ зэпеуэм ухэплъэмэ, шыщхьэуIум и 4-м Инджылызым Урысейр еханэ увыпIэм къригъэкIуэтэхауэ щытащ. Ауэ махуэ блэкIам къахуихьа ехъулIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ ди спортсменхэр аргуэру етхуанэ увыпIэм дэкIуеижащ. ШыщхьэуIум и 4-м 53-нэ дыщэ медалыр къэралым къыхуахьащ псым тIуры-тIу щызэдесын IэзагъкIэ зыри зылъэщIэмыхьэфа Ромашинэ Светланэрэ Колесниченкэ Светланэ-рэ. ИтIани, Iуэхум гугъэзагъэу зихъуэжын щыщIидзар боксымрэ бэнэкIэ хуитымкIэ иужьрей зэпеуэхэм я чэзур къэса нэ-ужьщ. ШыщхьэуIум и 5-м Урысейм и медаль бжыгъэр боксым къыщызэIуихащ килограмм 75-рэ нэхърэ мынэхъ хьэлъэхэм я гу-пым щызэуа Бакши Глеб и домбеякъым. Дыщэр зи Iэрылъхьэ хъуа нэгъуей щIалэ Батыргазиев Альберт и нэгум уиплъэмэ, игъащIэкIи уи фIэщ хъункъым килограмм 57-рэ нэхърэ мынэхъ хьэлъэхэм зы цIыху япэ щизымыгъэща спортсмен нэфIэгуфIэм и Iэр къиIэту зыгуэрым еуэфыну. Ауэ щыхъукIэ, ар зытекIуар США-м щыщ боксёр лъэрызехьэ дыдэхэм хабжэ Рэган Дюкщ. Урысейм щыщ лъэпкъ цIыкIум къызэрыхэкIам нэмыщIыж, Альберт къыщалъхуар Дагъыстэн дыдэми зи цIэр къыщыхэмыщ Нэгъуей щIыналъэрщ. Абы нэхъри нэхъ гухэхъуэ ищIащ олимп чемпионыщIэм къыдэщIа и лъэпкъэгъухэм я гуфIэгъуэ зэхэзежэр. Боксыр пщигъэгъупщэжыну гуащIэу екIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ зэхьэзэхуэри. ЯпэщIыкIэ и домбеякъ медалымкIэ дигъэгуфIащ Найфонов Артур. Индием къикIа Рави Кумар 7:4-уэ текIуэри, а унэтIыныгъэ дыдэм дыщэ медалыр щызыIэригъэхьащ Дагъыстэным щыщ Угуев Заури (килограмм 57-рэ нэхърэ мынэхъ хьэлъэхэм). ХъыбарыфIкIэ узыщагъэгугъ Кавказым щыщ адрей щIалэхэми. Осетин бэна-кIуэ Сидаков Заурбек и хьэрхуэрэгъум 11:0-у текIуэри, иужьрей зэпеуэм нэсакIэщ. Ардыдэм дагъыстэн щIа- литI щызэхуэзэжынкIи хъунущ. Ахэр зыми егъэцIыхужын хуэмей, 2016 гъэм екIуэкIа Олимпиадэм и чемпион Садулаев Абдулрашидрэ абы куэдкIэ къыкIэрымыху Рашидов Гаджимурадрэщ. А махуэ дыдэм башыр къагъэщхьэпэу лъагэу дэлъеинымкIэ зэпеуэхэм къахэжаныкIащ дыжьын медаль къэзыхьа Сидоровэ Анжеликэ. Япэрей зэхьэзэхуэхэм пхыкIакIэщ КъБР-м и цIыхубэм фIыуэ ялъагъу, КъалэкIыхьым щыщ хъыджэбз Ласицкене Марии. Щэ-нейрэ дунейпсо чемпион хъуа Марие сантиметри 195-м щхьэдэлъыхри, кIэух зэпеуэм нэсакIэщ. ШыщхьэуIум и 7-м Ласицкене зэхьэрхуэрэгъу 14 зыхэтыну иужьрей утыку ихьэгъуэм дыщигъэгуфIэну дыщогугъ. ШыщхьэуIум и 6-м бэнэкIэ хуитымкIэ утыкум Венгрием къыбгъэдэкIыу ихьащ Хьэсэней къуажэм щыщ Мусукаев Исмэхьил. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъу-щи, щIалэр иужьрей зэпеуэм и Iыхьэ плIанэм япон бэнакIуэм щыпикIуэтащ. Кавказ бэнакIуэхэм къакIэрымыхуу къыщIэкIащ боксым хэт Магомедалиевэ Земфирэ. ШыщхьэуIум и 6-м дагъыстэн хъы-джэбзым Урысейм и 59-нэ медалыр (домбеякъ) къыхуихьащ. А унэтIыныгъэ дыдэм дыжьын медаль къыщилэжьащ Гаджимагомедов Муслим. Урысей хъыджэбзхэр къыщикIуэтыну я мурадкъым художественнэ гимнастикэми. Псом япэ иту зэхьэзэхуэм хэтщ Аверинэ зэшыпхъухэу Аринэрэ Динэрэ. Тхыгъэр хьэзыр хъуакIэт осетин щIалэ Сидаков Заурбэч Урысейм 17-нэ дыщэ медалыр къызэрыхуихьа хъыбарыр къыщыIуам. Пщэдей ардыдэмкIэ дыщогугъ Кубэм щыщ и хьэрхуэрэгъум 4:0-у текIуэу кIэух зэпеуэм нэса Садулаев Абдулрашид. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100338.txt" }
Андэгурэм фейдэ пылъщ Гъавэ щIапIэмкIэ бей Ставрополь щIыналъэм андэгурэр (горчица) фейдэуэ къыщалъытауэ хасэ. Абы дагъэу хэлъщ процент 37 — 45-рэ, белокыу — 23 — 25-рэ. КъинэмыщIауэ, андэгурэр — фо пасэу къызыпах къэкIыгъэщ икIи тонныр сом мин 45 — 50-кIэ ящэ. Абы къыкIэлъокIуэ былымкъабыстэр (рапс) — зы тонныр сом мин 40 и уасэщ. Зыщэр зэрымащIэм, щIэупщIэ зэриIэм тращIыхьу, гъэ къакIуэ нэхъыбэу ящIэну я мурадщ. Андэгурэм щолэжь крайм и район зыбжанэм. Абы и жылэр Польшэм, Германием, Бангладеш ирагъашэ. Мы къэкIыгъэм къыщIаху дагъэр къагъэсэбэп щIакхъуэ зыгъажьэхэм, фIэIугъэ, майонезрэ маргаринрэ зыщIхэм. Ауэ абыкIи иухкъым: медицинэм, парфюмерием (сабын гъэвэнри хэту), щэкIым, фэм елэжь IуэхущIапIэхэм ар куэду къагъэсэбэп. МэкъумэшыщIэхэм зэрыжаIэмкIэ, андэгурэм щIыр егъэкъабзэ, егъэпшэрри, ар зытетам нэгъуэщI къэкIыгъэ тепсэну фIыщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100345.txt" }
Пашэхэр Тэрч щызэрытегъэкIуакъым Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и епщыкIутIанэ джэгугъуэм Тэрч къалэм щызэхуэзат зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыIыгъхэр. Джылахъстэнейдэсхэм яхуеблэгъат зэпеуэ зыбжанэм (УФ-м и ещанэ дивизионым, КъБР-м и кубокымрэ зэхьэзэхуэмрэ, Студент лигэм) ехъулIэныгъэ иIэу хэт, нэгъабэ ди республикэм и чемпион хъуа Прохладнэ и «Энергетик»-р. Абы текIуэмэ хэгъэрейхэм я пашэныгъэр ягъэбыдэнут, къыхагъащIэмэ — зылъэщIагъэхьэнут. ТIури къэхъуакъым: зэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ иухащ икIи щхьэж и пIэм къинэжащ. Очко яфIэкIуэдахэр къэплъытэмэ, «Тэрчыр» зы очкокIэ «Энергетик»-м япэ зэритщ. Апхуэдэ дыдэщ Псынэдахэ и «Родник»-м и Iуэхури, иджыри къэс зыри къыпэмылъэщауэ, Кэнжэ къуажэм бжыгъэшхуэкIэ япэу къыщыхагъэщIами. Хуабжьу зыпэплъа зэIущIэ Ислъэмей щекIуэкIащ. Абы щыхьэщIащ я гъуэнэгъу ХьэтIохъущыкъуейм и футболистхэр. АрщхьэкIэ япэрей зэпэщIэтыныгъэ гуащIэр иджы щыIакъым. Жэуапыншэу топиплI я хьэрхуэрэгъухэм худагъэкIри, хэгъэрейхэр текIуащ. Нэхъапэм зэкIэлъхьэужьу 3 къыхагъэщIа ислъэмейдэсхэр иджы апхуэдиз дыдэрэ текIуэжащ икIи я Iуэхухэр ирагъэфIэкIуэжащ. Зэрихабзэу, Нарткъалэ и «Нартыр» бжыгъэшхуэ защIэкIэ къыхагъэщIащ. Ику иту зэIущIэ къэс абы и гъуэм топих къыдагъэкI икIи джэгугъуэ 13-м псори зэхэту нагъэсащ 82-м. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, зэи къэмыхъуа телъыджэ КъБР-м и чемпионатым щыIэнущ. АдэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и зи чэзу зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм: епщыкIутIанэ джэгугъуэ — «Эльбрус» (Тырныауз) — «Ислъэмей» (Ислъэмей) — 2:5, «Спартак-Д» (Налшык) — «Шэрджэс» (Шэджэм) — 4:5, «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) — 4:2, «Кэнжэ» (Кэнжэ) — «Родник» (Псынэдахэ) — 4:0, «Урыху» (Урыху) — «Нарт» (Нарткъалэ) — 7:3, «Тэрч» (Тэрч) — «Энергетик» (Прохладнэ) — 1:1, «Малка» (Малкэ) — «Шэрэдж» (Старэ Шэрэдж) — 5:3, «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) — «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — 3:2; епщыкIущанэ джэгугъуэ — «Родник» — «Урыху» — 3:1, «Спартак-Д» — «Малка» — 2:5, «Энергетик» — «Шэрджэс» — 7:0, «Нарт» — «Тэрч» — 0:6, «Ислъэмей» — «ХьэтIохъущыкъуей» — 4:0, «Псыгуэнсу» — «Эльбрус» — 2:0, «Шэрэдж» — «Шэджэм-2» — 4:1. ДызыхуэкIуэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ зи чэзу джэгугъуэм щызэIущIэнущ: шыщхьэуIум и 14-м — «Малка» — «Энергетик», «Шэджэм-2» — «Спартак-Д», «ХьэтIохъущыкъуей» — «Псыгуэнсу», «Кэнжэ» — «Ислъэмей»; шыщхьэуIум и 15-м — «Урыху» — «Тэрч», «Шэрджэс» — «Нарт», «Эльбрус» — «Шэрэдж», «Родник» — «ЛогоВАЗ» командэхэр. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100348.txt" }
Зи гъащIэр лъэпкъым тыхь хуэзыщIа Дыгъужь Къурмэн къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу И гуащIэр инт, и гъащIэ гъуэгуанэр кIэщIт Шэрджэс тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Дыгъужь Къурмэн псэужамэ, шыщхьэуIум и 13-м и ныб-жьыр илъэс 80 ирикъунут. Илъэс 43-рэт абы гъащIэу къыхуиухар — 1984 гъэм фокIадэм и 20-м дунейм ехыжащ. Ауэ хузэфIэкIащ лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIын. 1956 гъэм Дыгъужь Къурмэн къуажэ еджапIэм классиблыр къыщеухри, Iэщыхъуэу колхоз губгъуэм йохьэ. 1958 гъэм колхоз правленэм и жэрдэмкIэ щIалэщIэр Черкесск къалэм ухуэныгъэм- кIэ и училищэм ягъакIуэ. Училищэ нэужьым къуажэм къегъэзэжри, ухуакIуэу мэлажьэ. ЩIэныгъэм зи гур ета ныбжьыщIэм, зэрылажьэм хуэдэурэ, гъунэгъу къуажэм кIуэурэ, епщIанэ классыр къыщеухыж. 1960 — 1963 гъэхэм дзэм ираджэри, тырку гъунапкъэм деж къулыкъур щрехьэкI, абдеж къыщыдагъэкIыу щыта «На рубежах Родины» газе- тым и корреспондент мэхъу, и япэ усэхэри къытрадзэ. Дзэ нэужьым Дыгъужьым щалъхуа Хъумэрэ-ныжь къуажэм къигъэзэжу, Iэхъуэ башыр къищ- тэжами, дэзыхьэха тхэн IэщIагъэр IэщIыб ищIыркъым. И зэфIэкIым гу къылъатэри, Къэрэшей- Шэржэсым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм 1965 гъэм еджакIуэ ягъакIуэ Москва, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым. Ар щоджэ урыс тхакIуэшхуэ Смирнов С. В. и семинарым. Институтым щекIуэкI жылагъуэ Iуэхугъуэхэм жыджэру зэрыхэтыр къалъытэри, адыгэ щIалэр абы партым щыхагъэхьэ, курсым и старостэуи хах. Институт нэужьым Къурмэн IэнатIэ зэхуэмыдэ-хэм пэрытащ: «Ленин нур» газетым, радиом, тхылъ щапIэм. Уеблэмэ хьэлъэзехьэу Химзаводым щылэжьащ. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытами, абы и гур, и псэр нэхъ зэтауэ щытар литературэрт. Къурмэн и тхылъ зыбжанэ дунейм къытехьащ: адыгэбзэкIэ Черкесск къыщыдэкIащ «Псыжь и толъкъунхэр» (1968), «Кърухэр» (1970), «Ди гухэлъхэр» (1974), «Тхьэрыкъуэхэм я къафэ» (1989), «Гъатхэ бзухэр» (1993) усэ тхылъхэр. И прозэм щыщу къыдэкIащ: «ТехьэпщIэ» повестыр (1976), «Бжьыхьэ псыдзэ» романыр (1983). 1973 гъэм Москва «Советская Россия» тхылъ тедзапIэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ «Журавли» усэ тхылъыр. Къурмэн и тхыгъэхэр ди къэралым щыпсэу лъэпкъ зыбжанэм я бзэхэмкIэ зэрадзэкIащ, и усэхэм макъамэ щIалъхьащ. Дыгъужь Къурмэн и тхыгъэ нэхъыфIхэм хабжэ Октябрь революцэ нэужьым адыгэ къуажэхэм я псэукIам тепсэлъыхьыж, адыгэ тхыдэм нэхъ тегъэщIа «ЩIымахуэ лэгъупыкъу» романыр. Езыр дунейм темытыжми, и IэдакъэщIэкIхэр нобэрей тхылъеджэм зэрыфIэгъэ-щIэгъуэныр къалъытэри, романыр щIэрыщIэу къыщыдагъэкIыжащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къэрал тхылъ тедзапIэм. Ар и щыхьэтщ тхакIуэм и гупсысэр зэманым зэрыдэмыкIуэдыжам. 2020 гъэм Черкесск къыщыдагъэкIащ и IэдакъэщIэкIхэмрэ тхакIуэм теухуа гукъэкIыжхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъих. Абыхэм еджэну дэтхэнэми псэкIэ зэхищIэнущ Дыгъужь Къурмэн ди лъэпкъым дежкIэ зищIысар. НафIэдз Мухьэмэд. МыкIуэдыжын лъэужь ТхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Дыгъужь Къурмэн яхэтащ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм япэу запызыщIахэм. Хэхэс гъащIэм теухуауэ абы итхащ усэ зыбжани: «Тыркум щыпсэу адыгэм и гупсысэхэр», «Тенджыз фIыцIэр», «Сыфлъыхъуащ», нэгъуэщIхэри. Ди лъэпкъэгъу хэхэс-хэм яхуэтхэрт, я гур къиIэтырт. Адыгэ лъэпкъ гупсысэр, хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр къыхощ Дыгъужь Къурмэн и IэдакъэщIэкI дэтхэнэми. СатыриплI фIэкIа мыхъу и усэм абы къыщигъэлъэгъуащ образ хъарзынэ: адыгэм и жьыр нэхъ ину къыщIихумэ, езым и «мафIэр нэхъри гуащIэу зэщIэплъэнущ», адыгэм папщIэ ямы-гъэпсэумэ, «адыгэм папщIэ зигъэлIэнущ». Адыгэ лъэпкъым теухуауэ итхахэм я мызакъуэу, Къурмэн еш имыщIэу телэжьащ дунейм тепхъа ди лъэпкъыр зэщIэкъуэжыным, зы гупсысэм хуэунэтIыным. Аращ Дыгъужьым и IэдакъэщIэкIхэм Адыгейми, Къэбэрдейми, Тыркуми, Абхъазми, Иорданиеми къыщыщIэупщIэу, езыми сэлам гуапэ къыхуагъэхьу дунейм щIытетар. Нэхъыжьхэм ящIэжыр Совет зэманым тхакIуэхэм цIыху лэжьакIуэм нэхъ гулъытэ хуащIын хуейуэ партым къызэригъэуву щытар, уеблэмэ «план къытралъхьэу» къэплъытэ хъунут. «Производственная тема» зыфIащамкIэ (нобэ тхакIуэхэм ящыгъупщэжащ а темэр, цIыхур лэжьэн зэрыхуейр телевизорым къитхэми хэтыжыххэкъым, я зэш трагъэун закъуэ щхьэкIэ дунейм къытехьауэ куэдым яфIощI). Дунейпсо литературэм ухэплъэмэ, усакIуэ, тхакIуэ куэд псэуащ зытетхыхь Iуэхур фIэщхъуныгъэ хэлъу къагъэлъэгъуэн щхьэкIэ IэщIагъэ гугъухэм зыхуагъасэу. Золя Эмиль, псалъэм папщIэ, фIамыщI къыщIэзыххэм теухуа роман итхыным ипэкIэ шахтхэм мызэ-мытIэу щIыхьащ, Ибсен Генрик лэжьапIэ зыбжанэ ихъуэжащ. Апхуэдэт Горький Максим. ЗыкъомкIэ абыхэм ещхьт Дыгъужь Къурмэни. Курыт еджапIэр къимыух щIыкIэ мэлыхъуэу илъэситI лэжьащ, балигъ хъуа иужькIэ, блынзэтелъхьэу, штукатурщикыу щытащ. Москва Литературэ ин- ститутыр къыщиухри, «джанэ къабзэхэм» ярихэтыну къулыкъу зыбжани иIащ: «Ленин нур» газетым и корреспонденту, радиом, ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и къулыкъущIэу, тхылъ щащэ тыкуэн нэхъ ин дыдэу Черкесск дэтым и уна- фэщIу щытащ, ауэ Къурмэн а псор IэщIыб ищIри, Химзаводым и хьэлъэзехьэу илъэс куэдкIэ лэжьащ, фIыуэ цIыху къызэрыгуэкIхэм къалъагъуу, пщIэнтIэпсым и уасэр ищIэу. А псор сэбэп къыщы-хуэхъуащ и творчествэм, езы Къурмэн и хъэтI, и тхэкIэ, и дамы-гъэ зэригъэпэщыжынымкIэ. ТхакIуэм и поэмэхэр, повестыр, романыр зэриухуэм фIэщхъуныгъэ хэлъщ, сыту жыпIэмэ езым гъащIэр зищIысыр игъэващи, ар зэрищIэр хъыбаркIэкъым, атIэ и нэкIэ илъэгъуахэмкIэщ, и псэмкIэ зыхищIахэмкIэщ. Къэтщтэнщ Къурмэн и «Iэсхьэд и къафэ» поэмэр. Iуэхур щекIуэкIыр бэзэрырщ, зауэм ипэ зэманщ. Бэзэрым темылъ щыIэкъым. «Ей, мамырыгъэр анэ бгъафэщ. Абы дэтхэ- нэ цIыхури хуейщ», — жеIэ усакIуэм. Поэмэм къыщыIэта гупсысэхэр къэзыIуэтэж лIыхъужьым бэзэрыр къы-зэхекIухь, абы зэхехыр адыгэ пшыналъэ дахэм и макъамэ: Макъамэр пфIощI бэзэрым щIиф, Зэми жьэражьэу хьэуа бампIэм Жьы щIыIэтыIэу ар къыщIиху. ЦIыху минхэм сэ сакIуэцIрокI, Iэсхьэд и къафэр пшынэм къокI. Сюжетыр пыщIащ Iэсхьэдрэ абы и щхьэгъусэ Мардиерэ. Iэсхьэд мэкъуауэ гупым я пашэщ, ар лэжьа- кIуэшхуэщ, зыгъэпсэхугъуэм дежи цIыхухэм къахощ и къэфэкIэ дахэмкIэ. Мардие пшынауэ Iэзэщ. Дыгъужь Къурмэн а зэманыр къегъэ-лъэгъуэж фIэщхъуныгъэ хэлъу, цIыхухэр лэжьакIуэ кIуэхэрт уэрэд жаIэу, апхуэдэуи къуажэм къыдыхьэжырт. Мардие и пшынэм гугъу ехьахэм «псэщIэ къахилъхьэжырт», «фызхэми гущэ щIаупскIэрт пшы- налъэм техуэу». ГъащIэ дахэм и теплъэр зы махуэ гуэрым екъутэ шум къихьа хъыбарым. Шым и лъакъуэм ищI макъыр «автомат уэкIэм ещхьт», щыблэм хуэдэт къихьа хъыбарри: «Зауэ». Iэсхьэд зауэм хокIуадэ.Илъэсхэр макIуэ, Мардие къыхуэнэр «Iэсхьэд и къафэрщ». Зи щхьэр тхъуа, зи ныбжьыр хэкIуэта фызабэм зы махуэ гуэрым пшынэр бэзэрым ехь, абы щегъэбзэрабзэ. Пшынэм и уасэм Iэджи къыщIоупщIэ, япхъуэтэну хьэзырщ, ауэ ищэркъым. КъыщIэупщIэхэр пшынэм зэреуэм кIэлъоплъ, «Пшынэм уасэ иIэкъым, ар гъащIэ пэлъытэщ, мы пшыналъэр екIуу къизыгъэкIым тыгъэ хуэсщIынущ», — яжреIэ. Зы хъыджэбз цIыкIу и адэшхуэр и гъусэу къыIуохьэри, «Iэсхьэд и къафэр» Iэзэ дыдэу кърегъэкI. Мардие хуогуфIэри пшынэр абы ирет, Iэсхьэд щхьэкIэ иуса къафэм, езы Iэсхьэд хуиIа лъагъуныгъэм и фэеплъу, мы псалъэхэри щIегъу: Си пщащэ цIыкIу, иджы мы пшынэр, Уи джэгу хыхьэгъуэщи, ууейщ, Мы къафэм текIуэныгъэ иныр ИрибгъэлъапIэу тет дунейм. Поэмэм и кIэухым философие гупсыси щIэлъщ: лъагъуныгъэр щIэблэ къэс зэIэпах, зи насып къэкIуэгъуэхэм къыхуагъанэ гурыщIэ да- хэщ, цIыхубэ мылъкущ. Мы поэмэми, «Нэгъуей шыхъуэхэр» поэмэми, и усэхэми Дыгъужь Къурмэн къыщигъэсэбэпащ эпитет щIэщыгъуэхэр, зэгъэпщэныгъэ шэрыуэхэр, метафорэ гукъинэжхэр. И прозэми и усэхэми псалъэ къыщигъэсэбэпхэм я куэдагъым гу лъумытэу къанэркъым. Бзэм елэжьхэм къыщагъуэтынущ адыгэбзэм и жыIэкIэ гъэщIэгъуэн Iэджи. Псом хуэмыдэу пейзажыр къэгъэлъэгъуэным хуэIэзэт Къурмэн. «Соплъэ къуршымкIэ» усэм щыщ сатыр зыбжанэ къэтхьынщ: Къуршыжь бэмпIахэм ягу хэхъуэнущ, Уэшх щIыIэтыIэкIэ затхьэщIынущ. Нэхъыжь-нэхъыщIэкIэщи хабзэр, НапэIэлъэщI пшэ хужьыр бгым НызэIэпахыурэ къабзабзэу Уэшхым иужькIэ залъэщIынущ. АдэкIэ «жыгхэр уэшх ткIуэпскIэ» (гуфIэгъуэ нэпскIэ къригъэкIыу) зыр адрейм хуэгуфIэнущ, «Псыкъелъэ иныр зи жьакIэхуу, Бгы дадэр псыхъуэм къыдэплъэнущ». Мы дуней тхъэжыгъуэм «пащIэIуантIэу» хуегъэувыжыр и къуажэ Хъумэрэныр, «Тхьэм и гуфIакIэм дэсым ещхьу» а псыхъуэр зыгъэдахэр. Дунейм и щытыкIэр Iэзэу пса- лъэ сурэткIэ къегъэщIыр усакIуэм: «Мазэр изу къыщIэкIащи, зыхуегъафIэ пшэм. ГъащIэр гъащIэкIэ гъэнщIащи, и гуфIэгъуэщ пшэм. Къурмэн, ищхьэкIэ зэрыжысIащи, Псыжь и образыр гуэхыпIэ имыIэу хиухуэнащ итха псоми, а псым «нэхъыжьыгъэр» хуагъэфащэ Инжы- джитIми, Уарпи, Лаби, абы йоджэ «ди Псыжь-гъуэмылэжь»-кIэ. УсакIуэм Псыжь «Iэ къыхуещI» и толъкъунхэмкIэ. Псыжь и образыр хэтщ Дыгъужь Къурмэн уэсят пэлъытэу итха «ЛъэIу»-ми. УсакIуэм жеIэ «зы махуи пщIэншэу зэримыгъакIуэр», «лэжьыгъэр псом япэ зэрыригъэщар», «лъэпкъым и адыгагъэр дэ- ни щигъэлъапIэу къызэрекIуэкIар, и къару зэрыщымысхьар» (нэгъуэщI Iуэху илэжьахэри къребжэкI). ЦIыху псоми яIэщ пIалъэ, бгыжьхэм ис жьындур къеджэмэ, зы лъэIукIэ къанэхэм зыкъытхуегъазэ: Уэ сынолъэIур, къуажэм и нэхулъэм Щыщ тIэкIукIэ си хьэдащхьэри гъэпскIыж, Хъумэрэныжь и уафэм ит пшэ хужьхэм Щыщ тIэкIу джэбыну уэ къызэтыж. Си Iеи, си фIи зыми жремыIэ, Ефэнды гуэри тхьэ схуремылъэIу, Си кхъаблэр зыхьхэр тIэкIу фызэтеувыIи, Сэ си хьэтыркIэ Псыжь уэр фыщIэдэIу. Къурмэн псом хуэмыдэу къехъулIэрт пейзажым теухуа лирикэр. Зы строфа къыхэтхынщ «Гъатхэ махуэм» усэм: Дыгъэр быдэу щIым и Iупэм Уафэм къыIуилъхьащ, Щlылъэр нур-быдзышэ хуабэм ЗигъэнщIыху ефащ. Гъатхэм теухуа нэгъуэщI усэ къыдощтэри, гуфIэгъуэр «къраш бзухэ-ми, мэзми, абыхэм джэгу ящIыр, кхъужьей хужьыбзэр «нысащIэу итщ утыкум». Гуэдз хьэсэм еплъу-рэ, усакIуэм упщIэ зыхуегъэув: «Рояль мы ди щIыр? Хьэмэ пщIыхьэпIэ?.. КъыпфIощI щхьэмыжхэр цIыхум и Iэпэу, ныбгъуэ макъамэр къраш!». Философие гупсысэ зыщIэлъ усэ кIэщIхэри иIэщ Дыгъужь Къурмэн. Апхуэдэщ сатыриплI хъу «Хабзэр хабзэщ» зыфIищар: Хэти ещIэ, хабзэр хабзэщ, Хъуэхъум хъуэн щIагъужкъым. Фlыуэ ялъэгъуа хъыджэбзым Пылъхьэ хуалъыхъуэжкъым. Удэзыхьэх, гум къинэж лъагъуныгъэ усэхэм ящыщ куэд итхащ Къурмэн. Апхуэдэщ: «НапIэ Iэтыгъуэ телъыджэ» (Пушкин А. и усэ цIэрыIуэр и тегъэщIапIэщ). «Дзыхь къысхуэпщIынщ», «Си щхьэгъусэ», «Ди гъащIэм папщIэ» зыфIищахэр. УсакIуэм лъэпкъыр, хэкур фIы ды-дэу илъагъурт, а лъагъуэныгъэр хуэфащэ усэбзэкIэ къигъэлъэгъуащ. Абы и щыхьэтщ и усэ сатыриплIри: Адыгэм уи жьыр сэ къысщIихухукIэ Сэ мафIэ гуащIэу сыблэнщ. Адыгэм папщIэ самыгъэпсэумэ, Адыгэм папщIэ сылIэнщ. Дыгъужь Къурмэн Хэкум, адыгэм, хабзэм теухуа и усэхэр гукъинэжщ, гупсысэ куу зыщIэлъщ. Ахэр ухуащ ритм IупщIэкIэ, рифмэ зэщIэжьыуэкIэ, макъ зэпэджэжкIэ. Аращ абы и усэхэр щIэщыгъуэ, зэгъэщIэгъуафIэ зыщIри. А псоми жыдагъэIэ: мыкIуэдыжынщ Дыгъужь Къурмэн къытхуигъэна лъэужь дахэр. БакIуу Хъанджэрий, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор. ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ Абдокъуэ Iэуес и ныбжьэгъу пэжт. Усыгъэхэр Тенджыз ФIыцIэр СыныIухьэмэ тенджызым Нэм икIауэ зеукIыж, Зэми гур зыщIигъэузу, Бгы нэпкъ лъагэм зыфIедзэж. ТенджызыщIэм бэлыхьлажьэр Щыхъеящи мэгуIэж. Сыту пIэрэ щыхъэр лъащIэм? Мы тенджызыр мыувыIэж. И пэжыпIэр хэт зымыщIэр? Куэд адыгэм ишэчащ. Адыгэгуу тенджызыщIэм Хейуэ куэд щIэтIысыкIащ. Адыгэгур къоуэ, Сыплъэм — Толъкуъныжьхэр къоублэрэкI, Адыгэгу бампIэу дэлъым Тенджыз ФIыцIэр кърехуэкI. Вакъэхэм папщIэ балладэ Жьырытэджхэт а вакъитIыр, Щыпсэхужыр жэщ гуварт. Мывэ дзакIэхэм яуIэт, КIэлъыщIэпхъуэм жэм цIывам «ЕкIуэкI» къащIу утыку иным Къыщыфаи къахуихуащ, Пщащэ туфлъэ дахэ цIыкIухэм Нэхущ уджи къыдащIащ. Уэшхым ахэр зэ хиубыдэт, Дыгъэм зэ зэфIигъэгъукIт, Ауэ я къалэныр быдэу А вакъитIым ирахьэкIт. Иджы ахэм яIэу щIыхьыр Бжыхьым лъагэу палъэжащ, ЩIэмытыжми я лъэгущIыхьыр Вакъэ напэр къахъумащ. Жэщ уэлбанэм Сигъэжейкъым бжьыхьэ уэшхым. Си щхьэгъубжэм къытоуIуэ, Хэту пIэрэ сэ къызэджэр, Си дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу? Унэм сэ сыкъыщIэкIауэ Мис сыхэтщ мы жэщ уэлбанэм. Зи гум шэрхъыр щIэщIыкIауэ Къытенари хэт гъуэгуанэм? Сыт си кIуапIэ? Нэм щIэIэбэр Плъагъукъым, уэшхыр зэ мувыIэ… Жейм сезэгъкъым сэ ныжэбэ, Уэшхыр абджым къытоуIуэ. Гъатхэ псыхьэлыгъуэхэр Гъатхэм и дыгъэIэмкIэ Iуданэу Псыхьэлыгъуэр уэсым къыхишащ. Егъэлъалъэ щIыгум и уэс джанэр, Егугъуу щIымахуэм зэIуищар. Псыхьэлыгъуэр мис тхьэмахуэ хъуауэ Бгым къызэрохьыр, йопIэщIэкI. Я гъуэгуанэм ахэр щыутхъуами, Гъатхэ уэрэд къабзэр къырагъэкI. Мамэ Махуэу услъэгъуауэ сщIэжкъым, мамэ, Махуэлыншэу губгъуэм уэ уитащ. СабииплI ди гъащIэ телът уи дамэм, ЩIалэгъуи, дахэгъуи къытщIэптащ. ЦIыхум яIуэтэж имыIэу гъунэ Уи щIалэгъуэм щIыгуу уэ блэжьам, Мы дуней хъурейм хуэдэ хъуну Къэплъытэжрэ ар зэхэплъхьэжам. Жэщым унэм уэ укъекIуэлIэжым — Дыжэ, жьыщIэ, ухуэн вакъэнжьей… БгъэкIэрахъуэ гъущI щхьэл Iэрыхьэжэм Зауэм тIиха адэр къыбдигъейт. Гъаблэм, зауэм, узым уэ фызабэр IэпщэкIэ уи закъуэу уебэнащ. СабииплIым папщIэкIэ хьэзабу ГъащIэм хэлъа псори уэ пшэчащ. Гъатхэ пшыхь дахащэщи, бжэщхьэIум НакIуэ, мамэ, щэхуу дытегъэс. Мамэ, етIысэхи, сынолъэIур, Мы си дамэм уи щхьэ тхъуар къегъэщI. Быдэу IэплIэ зэдгъэшэкI Ар сэращ, Къурмэнщ къопсалъэр, ГуфIэ нэпсхэр къысфIыщIокI. СыкъэпщIэжкъэ, си щIыналъэ? Быдэу IэплIэ зэдгъэшэкI! ПщIэжрэ, сабиигъуэм къуршым Бжэн игъэхъуу кIэрытар? Тесу къидыгъуа уанэшым Нэр темыплъэу блэлъэтар? Институтым Мэзкуу къалэ Уэ зэгуэрым ебгъэжьар? Ар сэращ, сэращ, уи щIалэрщ, Еджэн сухри сыкъэкIуэжащ. Си щIэныгъэр уэ уи бынхэм Сэ ястынщ щымыIэу хэн, Уи тхылъ напэу мес мо бгыхэм УэрэдыщIи сэ пхуистхэнщ. Пхухэссэнущ жыги гъатхэм, Нартыху хьэсэхэр пхуэспщIэнщ, Пхуэзгъэхъунущ уи шы гуартэр Сыт къыслъысми згъэзэщIэнщ. Си щIыналъэ, зысхъуэжакъым, Сэ иджыри сы-Къурмэнщ. Сыпхуэпэжщи, «маржэ» жаIэм, ЗыпхуэсщIынущ сэ къурмэн! Уэшх нэужьым ДыкъикIыжырт Губгъуэм дызэгъусэу, Дэ уэшхышхуэм Дыщыхиубыдам. Хэмылъыжу щыгъынхэм Джылъ гъущэ, ДыкIуэт ди Iэр зэрыдгъэубыдауэ. А уэшх иныр, СощIэжыр, тфIэмащIэт, Дэ дыгуфIэт, Ину дыдыхьэшхт, IэгукIэ къэдубыдурэ ТкIуэпс пIащэр, Уэрэ сэрэ Тыгъэу зэIэпытхт. Уэшх нэужьым Сэ уэ сыныщоплъым, Щхьэц баринэм ТкIуэпсхэр пылыдыкIт. Пщэдджыжь розэу Уэсэпсыр зыпылъым А дакъикъэм МинкIэ уедэхэкIт. Гъатхэ жэщым Гъатхэ жэщым Услъагъуну СынэкIуат фи дей. Уэздыгъэншэт, Щэхут фи унэр, IэфIу хъунт ужей. ЩIэзгъэкъуауэ щхьэм Iэдакъэр, Уэрамыбгъу сэрейм СыщIэсащ, нэхущ Адакъэр Iуэху ещанэрейу. Зэ гъунэгъуу Фэ фи бжыхьым СынекIуалIэм сфIэщIт, Сыныхыхьэу уэ уи ПщIыхьым, Уи нэгум сыщIэт. Вагъуэ ижыр щIым Къэмысу Сэ къэзгъэувыIащ, Даущ иримыгъэщIыну Абы селъэIуащ. Гъатхэ жэщым Услъагъуну СынэкIуат фи дей. Уэздыгъэншэт, Щэхут фи унэр, IэфIу хъунт ужей. Ужьыхыжам Хьэуэ, ущIэмыупщIэ Ужьыхыжа жьэгум: Сахуэ яжьэ щIыIэр Кърипхъэнщ уи нэгум.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100351.txt" }
ЩIэтIысхьэгъуэм теухуауэ иджыри зэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэхуахэм ятеухуа япэ унафэхэр щIэтIысхьэхэм я тхылъымпIэхэм хэплъэ КъэпщытакIуэ гупым къищтэу хуежьащ. КъБКъУ-м щIэхуахэм ятеухуа унафэхэр къэзыщтэ КъэпщытакIуэ гупым и япэ зэIущIэр 2021 гъэм шыщхьэуIум и 6-м екIуэкIащ. Япэ унафэхэр ятеухуат къэралым и мылъкукIэ еджэну квотэ хэхакIэ (льготные категории) щIэтIысхьэхэмрэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкIа жэрдэмыр и лъабжьэу еджапIэм къакIуэхэм я квотэкIэ (целевая квота) щIэтIысхьэхэмрэ. Мыбыхэм ящыщу цIыхуи 139-рэ къэралым и мылъкукIэ бакалавриатым и программэхэмрэ IэщIагъэ пыухыкIахэр зэрызрагъэгъуэт программэхэмкIэ еджэнухэм яхэхуащ. IэщIагъэ зэхуэмыдэхэмкIэ я щIэныгъэм щыхагъэхъуэну аспирантурэм щIэхуахэм я унафэри щхьэхуэу къащтащ. Мы дызэрыт 2021 гъэм къэралым и мылъкукIэ еджэну аспирантурэм цIыху 23-рэ щIэтIысхьащ, абы щыщу зы цIыхур IэнатIэм къыбгъэдэкIа жэрдэмыр и лъабжьэу еджэнухэм ящыщщ. АдэкIэ КъБКъУ-м щIэтIысхьэхэм я тхылъымпIэхэм хэплъэ КъэпщытакIуэ гупым и лэжьыгъэр зэриунэтIынум и гугъу пщIымэ, ар къэрал хабзэхэмрэ зэрыщIэтIысхьэ щIыкIэхэм ятеухуауэ щыIэ унафэхэмрэ ятещIыхьауэ щытынущ. Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм кърикIуа баллхэмрэ курыт еджапIэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмкIэ зэфIэкI лъагэ къэзыгъэлъэгъуауэ къэралым и мылъкукIэ бакалавриатым и программэхэмрэ IэщIагъэ пыухыкIахэр зэрызрагъэгъуэт программэхэмкIэ еджэнухэм КъБКъУ-м щIэтIысхьэну зэрыарэзымкIэ шыщхьэуIум и 11-м сыхьэт 18.00 пщIондэ тхылъымпIэм Iэ щIидзын хуейщ. А махуэм щегъэжьауэ ар КъБКъУ-м и студенту ябжынущ. Мыбы ехьэлIа унафэр шыщхьэуIум и 17-м къащтэнущ. ЗэгурыIуэныгъэ зэращIылIэу пщIэ зыщIат программэхэмкIэ еджэну хуейуэ зыуэ щыт къэрал экзаменхэм къыщахьа баллхэм япкъ иткIэ щIэтIысхьэхэм я тхылъымпIэхэр шыщхьэуIум и 25 пщIондэ къат хъунущ, къыхаха унэтIыныгъэм хуеджэну зэрыщIэтIысхьэмкIэ арэзы зэрыхъур къэзыгъэлъагъуэ тхылъымпIэм шыщхьэуIум и 28-м Iэ щIидзын хуейщ. Абы иужькIэ КъБКъУ-м и студент зэрыхъуамкIэ унафэр шыщхьэуIум и 31-м къащтэнущ. Ауэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэу пщIэ зыщIат программэхэмкIэ еджэну хуейуэ университет кIуэ-цIым щекIуэкIыну гъэунэхуныгъэхэм япкъ иткIэ щIэтIысхьэхэм я тхылъымпIэхэр шыщхьэуIум и 10 пщIондэ къатын хуейщ. Махуэрыеджэу щымытхэм папщIэ ягъэува пIалъэхэр зэщхьэщокI, абы теухуа хъыбарыр КъБКъУ-м и КъэпщытакIуэ гупым я сайтым илъынущ. Къэралым и мылъкукIэ магистратурэм и программэхэмкIэ еджэнухэм я тхылъымпIэхэр бадзэуэгъуэм и 31-м къыIахыныр ягъэувыIащ. Къыхаха унэтIыныгъэм хуеджэну зэрыарэзымкIэ тхылъымпIэм шыщхьэуIум и 10-м Iэ щIадзащ, КъБКъУ-м зэрыщIэхуамкIэ унафэр дяпэкIэ шыщхьэуIум и 13-м къащтэнущ. ЗэгурыIуэныгъэ зэращIылIэу пщIэ зыщIат программэхэмкIэ магистратурэм щеджэну хуейхэм я тхылъымпIэхэр шыщхьэуIум и 17 пщIондэ къыIахынущ, зэрыщIэтIысхьамкIэ унафэ пыухыкIахэри шыщхьэуIум и 27 пщIондэ къащтэнущ. IэщIагъэ щрагъэгъуэт курыт еджапIэхэр (колледжхэр) къэзыухахэм я тхылъымпIэхэр иджыри къыIах. Университетым къызэригъэпэщ гъэунэхуныгъэхэм хыхьэхэм папщIэ зэрыщIэтIысхьэ тхылъымпIэхэр шыщхьэуIум и 10 пщIондэ, апхуэдэ гъэунэхуныгъэхэм хэмытхэм шыщхьэуIум и 15 пщIондэ къыIахынущ. IэщIагъэ щрагъэгъуэт курыт еджапIэхэр (колледжхэр) къэзыухахэм ящыщу я аттестатхэм е дипломхэм кърикIуэ балл бжыгъэхэм япкъ ит-кIэ екIуэкIыну зэхьэзэхуэм кърикIуахэр шыщхьэуIум и 20-м нахуэ хъунущ. Мы гупым щыщу къэралым и мылъкукIэ еджэну университе-тым щIэхуахэм я унафэр шыщхьэуIум и 27-м къащтэнущ, зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэу пщIэ зыщIат программэхэмкIэ еджэнухэм я унафэр шыщхьэуIум и 31-м къыдэкIынущ. Мы гъэм зэрыщIэтIысхьэ тхылъымпIэхэр университетым къызэрыIихыр пэIудзауэщ. Ар щIэтIысхьэгъуэм пыщIа лэжьыгъэм щхьэхуэныгъэу иIэхэм ящыщщ. «Абы щхьэкIэ «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» жыхуиIэ сервисым ухыхьэу «Университетым пэIудзауэ щIэтIысхьэн» напэкIуэцIым узэригъэгъуазэм хуэдэу е пощтым и Iэмалхэр къэбгъэсэбэпу тхылъымпIэхэр егъэхьын хуейуэ аращ. Университетым зи тхылъымпIэ къыщIэзылъхьахэм я Iуэху зыIутыр щызрагъэщIэфынущ е зыщIэупщIэн щыIэмэ жэуап къыщагъуэтынущ колл-центрым (42-27-79, 8800-201-13-44). Апхуэдэу зэпыу имыIэу мэлажьэ, къиувэ хъыбархэр къыщыщIэрэ-щIэж зэпытщ КъБКъУ-м и КъэпщытакIуэ гупым и сайтыр (pk.kbsu.ru). Мыбдеж хэти къыщигъуэтыфынущ щIэтIысхьэгъуэм епха къэрал хабзэхэр, зэрагъэунэху экзаменхэр щатыну махуэхэр, абыхэм къарикIуахэр. КъБКъУ-м щIэтIысхьэну хуейхэм я упщIэхэм жэуап пыухыкIа щагъуэтынущ КъэпщытакIуэ гупым жэуап зыхь и секретарь Табыщ Тимур деж. ЩIэтIысхьэ ныбжьыщIэхэми, абыхэм я адэ-анэхэми ядригъэкIуэкI зэIущIэхэм кърагъэблагъэ къыхаха унэтIыныгъэмкIэ IэщIагъэлIхэр, къудамэхэм я унафэщIхэр. ШУРДЫМ Динэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100355.txt" }
ТхакIуэр ягъэлъапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэ зэрихьэу хэта, адыгэбзэм, лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ теухуа щIэныгъэ тхыгъэхэр, романхэмрэ Iуэтэжхэмрэ зи къалэмыпэм къыщIэкIа Нало Ахьмэдхъан къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум иращIэкI гуфIэгъуэ Iуэхухэм ящыщ зыуэ дунейм къытехьащ усакIуэм и сурэт зытет пощт карточкэ. КъБР-м и Коллекционерхэм я зэгухьэныгъэмрэ Урысейм и пощтымрэ я жэрдэмкIэ ар къыдэкIащ. Минищ хъууэ традза фэеплъ карточкэхэр Урысей псом щызэбгрыкIынущ. Ахэр, шэч хэмылъу, ди къэралым щыпсэу коллекционерхэм, конверт, карточкэ, бгъэхэIу, нэгъуэщIхэри зэхуэзыхьэс-хэм я гъэтIылъыгъэхэм ящыщ зы хъунущ. Коллекционерхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр зэгухьэныгъэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжахэм ящыщ зыщ ди тхакIуэхэр, усакIуэхэр, цIыхушхуэхэр нэгъуэщI лъэпкъхэм, дуней псом къегъэцIыхуныр. Иджыри зы Iуэхугъуэ къыхэгъэщын хуейщ. Зи сурэт карточкэм традза цIыхур къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу пощт маркэхэр къызэрагъэсэбэпам щыхьэт техъуэ мыхъурыр тегъэуэныр, «гашение» жыхуаIэр, пощтым щокIуэкI. Апхуэдэу, Налшык и Пощт IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм шыщхьэуIум и 10-м карточкэхэм щытрагъэуащ Налом и сурэтыр. «КъыхэгъэжьыкIа» сурэтым и мыхьэнэр апхуэдэ дамыгъэ зытегъэуа карточкэр, нэгъуэщI маркэ гуэри хуэмейуэ, дэни ебгъэхь зэрыхъурщ. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100357.txt" }
КIуэкIуэ Казбек щыгъуазэ зищIащ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщыр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыным теухуа жэрдэмым КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Маратрэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ зыхэта зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщыр сыт и лъэныкъуэкIи къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыным теухуауэ къапэщыт лэжьыгъэхэр зэфIэгъэхьэным. Урысейм и Премьер-министр Мишустин Михаил иджыблагъэ арэзы техъуауэ щытащ сабий сымаджэщыр зэрызэрагъэпэщыжынум теухуауэ ирагъэлъэгъуа эскизхэм икIи абы Iэ щIидзащ а лэжьыгъэм трагъэкIуэдэн папщIэ гъэтIылъыгъэ фондым щыщу сом мелуани 124,9-рэ къахуэутIыпщыным теухуа унафэм. КIуэкIуэ Казбек зыхуэфащэ министерствэхэм къалэн ящищIащ а лэжьыгъэм жыджэру щIадзэну. Сабий сымаджэщыр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным теухуа проектым тепсэлъыхьауэ щытащ КIуэкIуэ Казбек а IуэхущIапIэм 2020 гъэм и дыгъэгъазэм щыщыIам щыгъуэ. Я мурадщ сымаджэщыр зэрагъэпэщыжу ар зыхуей IэмэпсымэхэмкIи къызэрагъэпэщыну, апхуэдэуи сымаджэхэр зрашалIэ къудамэр нэхъ ин ящIыну. Мы зэманым Республикэ сабий клиникэ сымаджэщырщ щызэгъэуIуар щIыналъэм и сабий педиатрхэм я лэжьыгъэр, мыбы дэIэпыкъуныгъэ щрат унэтIыныгъэ 15-кIэ. РДКБ-м узыфэхэр къыщахутэ и къудамэр «Узыншагъэ» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ къызэгъэпэщащ КТ, МРТ, апхуэдэуи нэ узыфэхэр къызэрахутэ иджырей IэмэпсымэхэмкIэ. Илъэс къэс сымаджэщым дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ, ди гъунэгъу щIыналъэхэм щыщ сабий мин 15-м щIигъум. Иужьрей илъэсхэм къриубыдэу сымаджэщыр зэрагъэпэщыжащ республикэ мылъкукIэ, бюджетым щымыщ ахъшэкIэ, ауэ иджыри зыхунэмысауэ къэнащ IуэхущIапIэм и къудамэ зыбжанэ, къимыдэкIэ, инженер коммуникацэхэри зэхъуэкIын хуейщ. Сымаджэщым технологие лъагэхэр зи лъабжьэ медицинэ дэIэ-пыкъуныгъэхэр щагъуэт хъуащ лышх узыфэ зыпкърыт цIыкIухэм, апхуэдэ дыдэ гулъытэ нэгъуэщI узыфэхэр зыпкърытхэми хуащIын папщIэ къызэхуэтыншэу зэгъэпэщы-жыпхъэщ, хьэуар зэра- гъэкъабзэ иджырей Iэмэпсымэхэр щыгъэувын, иджырей медицинэ оборудованэхэри къэщэхун хуейщ. Сымаджэщыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжмэ, щIэм тету лэжьэфынущ фэбжь зыгъуэтахэм щеIэзэ, хирургие къудамэхэри. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ сымаджэщым и хъуреягъри, и пщIантIэри зыхуей хуагъэзэну, ахэр ягъэдэхэну, цIыхухэм къыщакIухьын щIыпIэхэри ящIыну къазэрыпэщытыр. ЗэIущIэм апхуэдэу щызэпкърахащ узыншагъэр хъумэн IэнатIэм ехьэлIа нэгъуэщI Iуэхухэри. Къалэбатэ Рустам къыхигъэщащ коронавирус уз зэрыцIалэр зэуалIэхэм я бжыгъэм щIыпIэм зэрыщыхэхъуэр. Госпиталхэм цIыху 735-рэ щIэлъщ, амбулаторнэу йоIэзэ цIыху 1300-м щIигъум. ЩытыкIэм зэпыууэ я нэIэ зэрытетым и фIыгъэкIэ коронавирус узыфэр зыпкърытхэм зэреIэзэ хущхъуэхэр и чэзум къащэху. Республикэм и Iэтащхьэм пщэрылъ къазэрыщищIам тету, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къи- щэхуащ лышх узыр зыпкърытхэм зэреIэзэну хущхъуэу сом мелуани 8,4-рэ и уасэ. Ахэр узыфэр зыпкърытхэу сымаджэщхэм щIэлъын хуэмейхэм унэми щызрахьэлIэ хъунущ. Iэмалыншэ медицинэ страхованэмкIэ фондым и мылъкукIэ лышх узыфэм зэрыпэщIэт хъущхъуэхэр къыхуащэху Онкологие диспансерми. КъБР-м и Правительствэм щызэхалъхьащ лышх узыфэр зыпкърытхэу амбулатор-нэу зэIэзэхэр 2021 гъэм и кIэ пщIондэ хущхъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыным трагъэкIуэдэн папщIэ республикэ бюджетым щыщ мылъку хухэхыным теухуа Iуэхухэр. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ апхуэдэ гугъуехьхэм иджыпсту къэралым и щIыналъэ куэд зэрыIууар, ауэ а Iуэхум зэпымыууэ я нэIэ трагъэтыпхъэщ сымаджэхэм я хущхъуэхэр щызэблэу къэмыхъуу яIэрыхьэн папщIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100360.txt" }
Нэгъабэрейм мащIэу йофIэкI «Черноморец» (Новороссийск) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 1:1 (0:0). Новороссийск. «Центральный» стадион. ШыщхьэуIум и 7-м. Еплъынухэр ирагъэхьакъым. Судьяхэр: Шамарэ (Дон Iус Ростов), Шпильфогель (Ленинград область), Шварц (Смоленск). «Черноморец»: Делиньян, Гараев, Джамалутдинов, Курбанов, Гречкин, Панамарёв (Антонов, 78), Кириленкэ, Крюков (Абдокъуэ, 63), Климов (Чалый, 62), Джанелидзе, Iэшэ. «Спартак-Налшык»: Антипов, КIэдыкIуей, Ольмезов, Шумахуэ З., Шумахуэ И. (Дэхъу, 61), Мэкъуауэ, Бенедык, Къумыкъу И. (Торосян, 70), Багъэтыр, Ашуев, ХъутIэ (Черткоев, 8). Топхэр дагъэкIащ: Бенедык, 46 (0:1). Iэшэ, 54 (1:1). Дагъуэ къыхуащIащ: Климовым, Шумахуэ З., Черткоевым, КIэдыкIуейм, Бенедык, Шумахуэ И., Мэкъуауэм, Антиповым. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэхэр «Спартак-Налшыкым» хьэлъэу иригъажьэ хъуащ. Къапщтэмэ, нэгъабэрей зэпеуэм и пэщIэдзэ джэгугъуиплIым щэнейрэ къыщыхагъащIэри, зэм зэрыщытегъэкIуатэкъым. Мис аргуэруи япэ зэIущIищым текIуэныгъэм и Iэфагъыр щызыхищIакъым. Пэжщ, а лъэхъэнэм къриубыдэу очко зырыз я стадионым къащыфIихьащ бжьыпэм хущIэкъу Дон Iус Ростоврэ Новороссийскрэ я командэхэм. Абы щыгъуэми зыщыдгъэгъупщэнкъым, СКА-м футболиститIкIэ ебэкIыу дэджэгуащ, «Черноморец»-р коронавирус уз зэрыцIалэм зэщIищтэри, дыдейхэм щаIущIэнум ирихьэлIэу къызэфIэувэжауэ аращ, ипэ къита джэгугъуитIым зэрыхэмытыфам къыхэкIыу къыхагъэщIауэ къалъытэри. Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэм къахэкIыу шыщхьэуIум и 7-м Новороссийск щызэхэта зэIущIэм мыхьэнэшхуэ иIэт лъэныкъуитIми я дежкIэ. АбыкIэ къыщIадзэфынут я ефIэкIуэныгъэм. Джэгум и япэ Iыхьэр зэхуэдэу ирагъэкIуэкIащ. КомандитIри хущIэкъуащ ебгъэрыкIуэныгъэр тегъэщIапIэ ящIыну. Апхуэдэу щыт пэтми, бжыгъэр къызэIуахыну Iэмал къащыхукъуэкIар 40-нэ дакъикъэм ирихьэлIэущ: «Спартак-Налшыкым» къыхагъэхьагъащIэ Бенедык Данилрэ хэгъэрейхэм я пашэ Iэшэ Анзоррэ къыхэжаныкIыным зы мащIэщ иIэжар. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ а тIуращ топхэр дэзыгъэкIари. 46-нэ дакъикъэм Бенедык бжыгъэр къызэIуихащ, 2021 — 2022 гъэхэм я зэхьэзэхуэм налшыкдэсхэм я япэ топыр щыдигъэкIри. Iэшэ Анзор и жэуапми куэдрэ пигъэплъакъым — угловой къыхата иужькIэ абы бжыгъэр щхьэкIэ зэхуэдэ ищIыжащ. Джэгур и кIэм нэсыхукIэ «Спартак-Налшыкым» нэхъ зихъумэжыгъуей хъурт. «Черноморец»-м и ебгъэрыкIуэныгъэхэр ди щIалэхэм куэдрэ къызэпаудырт футбол хабзэхэр къызэпаудурэ. Абы и зэранкIэ налшыкдэсхэм ящыщу 7-м судьям дагъуэ къахуищIащ икIи командэм къуэды къытралъхьэнущ. КъищынэмыщIауэ, «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэхэм хэщIыныгъэшхуэхэр ягъуэтащ. Фэбжь зэриIэм къыхэкIыу Новороссийск мыкIуа, гупым и капитан ЛIуп Ислъам щэбэтым гъусэ хуэхъуащ ХъутIэ Анзори. «Черноморец»-м ар зэрыдэджэгуфар дакъикъи 8 къудейщ. АдэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и зи чэзу джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: СКА (Дон Iус Ростов) — «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) — 0:1, «Ротор-2» (Волгоград) — «Алания-2» (Владикавказ) — 1:1, «Динамо» (Ставрополь) — «Чайка» (Песчанокопскэ) — 1:1, «Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «Кубань-Холдинг» (Павловск) — 1:1, «ТIуапсы» (ТIуапсы) — «Дружба» (Мейкъуапэ) — 3:0, «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — 0:0, «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) — «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — 0:2. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2021 — 2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр шыщхьэуIум и 15-м екIуэкIынущ. А махуэм ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнущ зэпеуэм иужь дыдэ увыпIэр щызыIыгъ «ЕсэнтIыгур». Дыщыгугъынщ абы япэ текIуэныгъэр къыщахьыну. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100363.txt" }
Гъэмахуэр мэусэ! Саралъп Мадинэ и Арт-центрым мы махуэхэм щекIуэкIащ «Жан» литературэ хасэм къызэригъэпэща усэ пшыхь. Иджырейр IыхьитIу гуэшауэ щытащ, япэр хуэгъэпсат гъэмахуэм къалъхуа усакIуэхэмрэ гъэмахуэм теухуауэ ятха усэ нэхъыфIхэмрэ. ЕтIуанэр — Абхъаз усакIуэхэу Искандер Фазилрэ Зантарие Владимиррэ яхуэгъэпсат. Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, усакIуэ Гугъуэт Заремэ. Абы къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ гъэмахуэм халъхуа адыгэ усакIуэхэр икIи кIэщIу абыхэм я лирикэм щIэлъ щIагъыбзэмрэ IэфIагъымрэ къытеувыIащ. Гъэмахуэм и «бынщ», икIи ар я творчествэм наIуэу къыщыхощ — Нало Заур, КIыщокъуэ Алим, Бещтокъуэ Хьэбас, Бицу Анатолэ, Мыкъуэжь Анатолэ, АфIэунэ Лиуан, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, Аброкъуэ Беллэ, Хьэщыкъуей Олег, Тау Нинэ сымэ. Заремэ усакIуэхэм я лирикэр зэрызэпкърихам щыщ фезгъэплъынти. Нало Заур и усэхэр ущиякIуэщ, укъэзыгъэуIэбжьщ — гупсысэ щIэщыгъуэ къызэщIапхъуатэу гъэпсащ. ЩIыуэпсри образ щхьэхуэу сатырхэм ешэкIащ. Сабийхэми балигъхэми яхуэтха Налом и балигъ усэхэм сабиягъэ, цIыкIухэм яхуитхахэм — балигъ гупсысэхэр хэлъщ. КIыщокъуэ Алим и усыгъэм уи нэгу къыщIегъэувэ цIыху гъэщIэ псо. Сабиигъуи, зауапIэ губгъуи, хамэ щIыналъи, Хэкум и хуабагъи, къуажэ гъащIи, гурыщIэ лъаги, унагъуи. КIыщокъуэм и усыгъэм и къару нэхъыщхьэр — пэжырщ, аращ зэрыгъуазэр. Бицу Анатолэ и усэхэр пIейтейуэ, гузавэурэ зиухыжу, упщIэ гуэрхэм зриудэкIыу, арэзыуэ гурыщIэм зригъэсыжу, гугъэ къиулъэпхъэщу апхуэдэщ … Зы дуней телъыджэщ Бицум и усыгъэр! ЗыхыбощIэ псалъэхэр къызыпкърыкI усакIуэр абы псэкIэ гугъу зэрыригъэхьыр. ИтIани, аращ ар усэм къеджэм и гум щIэхыу щIыдыхьэр. Бещтокъуэ Хьэбас и лирикэр гуащIэщ, ухыхьэмэ ухэтыну, ухэтмэ — зебгъэсыну уехъуапсэу. Мыкъуэжь Анатолэ и усыгъэр лъыхъуэщ, упщIэщ, къэзыгъуэтщ. Захуагъэ мэлъыхъуэ, дэхуэхам хуогузавэ, егъэудэIу. ПсэкIэ мэусэ, уэмрэ щIымрэ я зэхуаку къыдих хуэдэщ гупсысэ. Аброкъуэ Беллэ и усыгъэр макъ зэщIэжьыуэщ. Макъхэм зызэбладз, заухуэн, зэблокI, зэхошыпсыхьыж. Усыгъэхэр, бзылъхугъэ хьэлу, щабэщ, фIэрафIэщ, укъыдахьэх. Дыкъэзыухъуреихь дунейр гурэ псэкIэ зыхыуегъащIэ Искандер Фазиль и усыгъэм, щIыуэпсым и хьэлыр, зэманым и кIуэкIэр къыбгурегъаIуэ, укъеджа нэужь, дахагъэ гуэрхэм уаIущIэмэ, и усыгъэм хэт псалъэхэр уигу къокIыж. Искандерым и усыгъэм къыхощ гъэмахуэ курыкупсэ. Iэщ хъушэр псым зэпрокI, Iэщыхъуэхэм даIуощIэ, кхъуей ягъэгъум Iугъуэмэ къыпех, псыежэхым и IэфIыр, хьэуам и къабзагъыр зыхыдощIэ, пцIащхъуэхэр зэрызохьэ, хьэм и кIэр егъэумамэ. Зантарие Владимир и усыгъэм гъащIэр щызщ. Мыбы гуфIэгъуи гуауи щызэщIэлъщ, фIымрэ емрэ щызэхокI. ГукъэкIыжхэм куэдрэ ухашэ, уикIуэтыж зэрымыхъум уринэщхъеижу. Уэмрэ щIымрэ я зэхуаку дэт хуэдэщ усакIуэпсэр. Усэм хэт псалъэхэри абы я зэхуаку къыдих хуэдэщ, абдежым псэ къыщыхыхьэ, псыхьа щыхъу хуэдэу. Апхуэдизу пIейтейщи, уецырхъмэ, зы гупсысэ къызэрымыкIуэ гуэр лъэлъэжын хуэдэщ. Усэхэм къыджаIэ дахагъэри гуапагъэри псэм къызэрыпкърыкIыр, псэм зыхищIэр зэрыIэфIыр. Нэхъри удехьэх усакIуэм и псэр моуэ «пасэрейуэ», «тIорысэу» зэрыщытым. Пасэм къагъэсэбэпа хьэпшыпхэр, зэман IэфIыр щыкIуа щIыпIэхэр, къызэрымыкIуэу удригъэхьэхыу къретхэкI Зантарие Владимир. Гъэмахуэм ущегупсыскIэ, лъапцIэрышэу къэзыжыхь сабийхэм я дыхьэшх макъ тхьэкIумэм къиIуэ зэпытщ. КъоIуэ, ар зи лъэхъэнэр сабийхэращи, дыгъэм и гуащIэгъуэри, мыхъум и дыджагъри зыхэзымыщIэу абы и IэфI псори зыщIэзышэ сабийхэрщ. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу адыгэбзэ къабзэкIэ пшыхьыр ирашэжьащ ныбжьыщIэ цIыкIухэу Къардэн Марие, ГъущIохэ Залымрэ Иринэрэ я макъ жьгъырумкIэ. Бзэр зэрыдахэр къыщыбгурыIуэр абы сабийхэр яфIэфIу ирипсалъэу щызэхэпхым дежщ! ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэ Къардэн Заур Абхъаз тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр адыгэбзэкIэ игъэIуащ. Гитарэрэ шыкIэпшынэрэ я макъамэ зэщIэлъу хэт игъащIэм зэхиха?! Зэпэщхьэхуэу зызыщумыгъэнщI IэмэпсымитIым зэгъусэу уедэIуэныр тхъэжыгъуэм къыщынэркъым. Усэ пшыхьым ар ди нэгу щыщIагъэкIащ уэрэджыIакIуэ Щокъуий Муратрэ пасэрей Iэмэпсымэхэм къызэрымыкIуэу Iэзэу еуэ Дым Аслъэнджэрийрэ. Абыхэм ягъэзэщIащ IутIыж Борисрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ я псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр. Усыгъэм щIэлъ къарур псом хуэмыдэу къыщыппкърыхьэр ар зыхэзыщIэ цIыхухэр къеджэу щызэхэпхкIэщ. Апхуэдэу пшыхьым хэтащ — Бакъ Мадинэ, Шыпш Даянэ, Гугъуэт Заремэ, Щомахуэ Залинэ сымэ. Зэхыхьэм и кIэухым «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ, «Жан» литературэ хасэм и унафэщI Къаныкъуэ Заринэ къыщыпсалъэм жиIащ, уз зэрыцIалэм и зэранкIэ, зыкъом щIауэ пшыхьхэр ирамыгъэкIуэкIыфауэ ныщхьэбэреймкIэ зэрырагъэжьэжар икIи ар яхуэмахуэну къызэрилъытэр. Апхуэдэуи адыгэбзэм ирилажьэ журналистхэм захуигъазэу, къыкIэлъыкIуэ усэ пшыхьыр гъэхьэзырынымкIэ гупыж зиIэ яхэтмэ, зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр яжриIащ. Пшыхьым усэ къыщеджахэм адыгэ литературэм и фIыпIэу къалъытэ тхакIуэхэм я тхылъхэр тыгъэ щыхуащIащ. Тхыгъэри сурэтхэри Тэрчокъуэ Дисэ ейщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100366.txt" }
КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, зауэлI хахуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Нало Ахьмэдхъан къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу Гъуэгуанэ дахэ икIи гугъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан Хьэмырзэ и къуэр Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм къыщалъхуащ 1921 гъэм шыщхьэуIум и 10-м. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, Налшык дэт педрабфакым 1937 — 1941 гъэхэм щеджащ. 1941 гъэм пединститутым щIэтIысхьа къудейуэ, Хэку зауэшхуэр къэхъейри, фронтым кIуащ. 1942 гъэм щыщIэдзауэ 1943 гъэ пщIондэ Налор щIэсащ Ленинград дэт дзэ-инженер еджапIэм. 1943 гъэм и накъыгъэ мазэм лейтенант Нало Ахьмэдхъан фронтым Iухьэжри, зауэр иухыху хэтащ, сапёр взводым, ротэм я унафэщIу. Берлин нэскIэ зи псэр нэзыхьэсу 1945 гъэм накъыгъэм и 6-м Рейхстагым и щыгум иувэфа зауэлI хахуэхэм яхэтащ Нало Ахьмэдхъан. Ауэ занщIэу дзэ IэнатIэр къибгынакъым, атIэ и Хэку къыщигъэзэжар 1946 гъэрщ. Зэрихьа лIыгъэмрэ къигъэлъэгъуа хахуагъэмрэ папщIэ Налом къыхуагъэфэ-щащ Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр, Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэу тIу, «Невский Александр», «Вагъуэ Плъыжь» орденхэр, СССР-м и медалу 14, Польшэ Республикэм и медалыр. Хэкум къигъэзэжа нэужь, Ахьмэдхъан къуажэм и колхозым и тхьэмадэм и къуэдзэу щытащ, Лэскэн райисполкомым щылэжьащ, ауэ пIалъэ кIыхь къыхимыгъэкIыу, зауэм IэщIыб иригъэщIауэ щыта еджэн Iуэхум пищэжащ. ВКП(б)-м и обкомым къызэригъэпэща парткурсхэр 1947 гъэм къиухри, зауэм и пэкIэ зыщIэтIысхьауэ щыта пединститутым игъэзэжащ икIи 1951 гъэм ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ. ЩIэныгъэм хуэпабгъэ цIыху акъылыфIэр абдежми къыщызэтеувыIакъым: 1952 гъэм пединститутым къыщызэIуаха аспирантурэм япэу зи зэфIэкI щеплъыжахэм яхэтащ, ар къиухри 1956 гъэм бзэщIэныгъэмкIэ кандидат диссертацэр пхигъэкIащ. А лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ ар илъэс 50-м щIигъукIэ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и доценту лэжьащ. Егъэджэныгъэм нэмыщI нэгъуэщI Iуэху зэримыхуами, Налом лъэпкъым хуилэжьар мащIэтэкъым, арщхьэкIэ зэрылажьэм хуэдэурэ абы къэхутэныгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ адыгэбзэм зегъэужьыным пыщIауэ. Москва къыщыдагъэкIа «Адыгэ-шэрджэсыбзэм и грамматикэ», «Урыс-шэрджэс псалъалъэ» тхылъхэр зыгъэхьэзырахэм яхэтащ. Налор ящыщщ литературэм бжьыпэр щызыубыдахэм, зи тхыгъэхэр цIыхубэм ягу дыхьа тхакIуэхэм. Ар СССР-м, Урысей Федерацэм я ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хэтащ. 1960 гъэм Налшык къыщыдэкIа «Урыху акъужь» и япэ тхылъыр псынщIэ дыдэу цIыхухэм зэлъащIысащ икIи гунэс ящыхъуащ. Ар щыхьэт техъуат куэдкIэ узыщыгугъ хъун тхакIуэ гъуэзэджэ къызэрыунэхуам. Налом и рассказ купщIафIэхэр зэрыт и япэ тхылъым къыкIэлъыкIуащ нэгъуэщI зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ «ГушыIалъэ» (1963), «Къэрэгъул зэблэкIыгъуэ» (1967), «Лъагъуэхэмрэ гъуэгухэмрэ» (1969), «Рейхстагым адыгэбзи тетщ» (1972), «Нэхущ шу» (1977), «Бжьэр къэпщIащ» (1980), «Пшэплъ жыжьэхэр» (1984), «Псы Iуфэм Iут унэ цIыкIу» (1995) тхылъхэр. Налом и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр щызэхуэхьэса «Тхыгъэхэр» тхылъищыр 1993 — 1995 гъэхэм къыдигъэкIащ. Нало Ахьмэдхъан и тхыгъэхэм ящыщ зыбжанэ урысыбзэкIэ дунейм къытехьащ. ЦIыхубэм яIурылъ бзэм и дахагъри, и IэфIагъри, и къабзагъри мыгъэкIуэдауэ, зытетхыхь Iуэхум тэмэму тегъэпсыхьауэ къэгъэсэбэпыныр тхакIуэм и тхыгъэхэм я фащэщ. Аращ Налом и IэдакъэщIэкIхэм псалъэ купщIафIэхэр, шэрыуэхэр гъунэжу щIыхэбгъуатэр, ахэр гушыIэ дахэкIэ щIэузэдар. Лъэпкъым ди дамэт, ди набдзэт Нало Ахьмэдхъан къыщалъхуа пщIантIэм дэсар, и анэм бгъэдэсар и къуэш нэхъыщIэ Леонидщ. А пщIантIэжьрат тхакIуэм и жьантIэр, и псэм псэхугъуэ щигъуэтыр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, гукъэкIыж куэди ехъумэ а пщIантIэм Ахьмэдхъан теухуауэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Леонид псэужкъым, ауэ лъапсэм исщ абы и щхьэгъусэ Люзедэрэ ипхъу Ирэрэ. Люзедэ зыхуэдгъэзат и пщыкъуэм теухуа гукъэкIыжхэмкIэ къыддэгуэшэнуи, къыджиIар мыращ: — Ахьмэдхъан жэщ-махуэкIэ хужыпIэн бгъуэтынущ, Iуэху дахэ куэд дигъэлъэгъуащ, Iэджэм дыхуигъэсащ. Ар цIыху Iущт, губзыгъэт, пэжым и телъхьэт. Адыгагъэмрэ цIыхугъэмрэ, нэмысымрэ хабзэмрэ ткIийуэ тетт. Абы и макъым зригъэIэтауэ сэ зэи зэхэсхакъым. АдыгэлI щыпкъэм дыфIэлIыкIыу, пщIэ хуэтщIу, езыми къытхуищIыжу дыкъызэдекIуэкIащ. И анэм и лъапсэм Ахьмэдхъан щIэх-щIэхыурэ къэкIуэжырт, адыгэ тхакIуэ куэди къытхуишэурэ дигъэцIыхуат, дгъэхьэщIат. А гупыр жызумей лъабжьэм щIэсу, хъыбар жаIэжу, къакъэ-пщIыпщIу зэхэсу щыплъагъукIэ уигу хэхъуэрт. Абыхэм я нэгум иплъагъуэрт Ахьмэдхъан пщIэшхуэ къызэрыхуащIыр. Ахьмэдхъан лъэпкъым ди дамэт, ди набдзэт. ГъэсакIуэт икIи чэнджэщэгъут ди дежкIэ. Ди лъэпкъ щIэблэр зэрыгушхуэ, зыдэплъей цIыхут Ахьмэдхъан. Куэдым жаIэж абы щхьэкIэ, гъуэгум ирикIуэу ялъэгъуамэ, емыкIу къэдмыхьащэрэт, игу зэдмыгъэбгъащэрэт жаIэу лъэныкъуэ зрагъэзу зэрыщытар. Гъэмахуэр къэса иужь Ахьмэдхъан къалэм дэзэгъэжыртэкъым. Мэз лъапэр фIыуэ илъагъуу щытащ, и ныбжьэгъухэм абы бжьэ щагъэхъуу, езыми бжьэ матэ хухахауэ иIэу апхуэдэти, къэкIуэжырт, пщыIэм тест, гъуэмылэ яхуэпхьамэ фо уагъэшхынут, и анэми щIэх-щIэхыурэ къыхуихьырти дигъэтхъэжырт. Ныбжьэгъу бэлыхьт Ахьмэдхъан пэжкIэ къыбгъэдэтт и къуажэгъухэр. КъэкIуэжа иужь абыхэм я деж кIуэрт, илъагъурт, къригъэблагъэрти, дгъэхьэщIэрт. Ди гуапэт ахэр Ахьмэдхъан къызэрыхуэгумащIэр, мамэ егъэлеяуэ абыхэм щыгуфIыкIырт. Нобэр къыздэсым си гум IэфIу илъщ, сыт хуэдэ ныбжьым итми, мамэ Ахьмэдхъан зыщимыгъэнщIу зэрыщытар. ГушыIэшхуэ хэлът Ахьмэдхъан. Ар гуфIэу, дыхьэшхыу ныбжьэгъухэм яхэсу щыплъагъукIэ уи гур хэхъуэрт. Уий, иджыпсту унащхьэр къочэ жыпIэу апхуэдэт я зэхэсыкIэр. Ахьмэдхъан къыщалъхуа унагъуэм зэкъуэшхэм я зэхуаку пщIэшхуэ щыдэлъащ, нэхъыжьым фIэлIыкIыу, нэхъыщIэр ягъэлъапIэу. Аращ сэ абыхэм ядэслъэгъуар. Ахьмэдхъан къэкIуэжа иужь дэнэкIэ щыIэри псынщIэу я анэм и деж къекIуэлIэжу щытащ. Ахэр зыхуэгумащIэу, зэдэуэршэру, зым жиIэр адрейм зэрыфIэгъэщIэгъуэныр нэрылъагъуу, фэрыщIагъ зыхэмылъ гуапагъэ нэскIэ зэбгъэдэст. Абыхэм уадэмыплъеинкIэ, уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Зым и Iуэхур адрейм игъэдахэрт, зым жиIар адрейм игъэзащIэрт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэкъуэшихымрэ я шыпхъу закъуэмрэ ящыщу зыри псэужкъым. Ар икъукIэ къызохьэлъэкI. И натIэм къритха гъащIэр тэмэму ирихьэкIащ, гугъу ехьауэ, ауэ иIуэтэжауэ дунейм ехыжащи, ахърэт нэху къритауэ Тхьэм къыщIигъэкI. Ахьмэдхъан къызэралъхурэ илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу абы псалъэ гуапэ хужысIэнщ, жиIэу зигу къэкIа дэтхэнэми фIыщIэшхуэ хузощI. Абы и фэеплъыр лъэпкъым дгъэлъэпIэху, а лIы ахъырзэманыр псэууэ къэплъытэ хъунущ. Зытхыжар ИСТЭПАН Залинэщ. И пхъашагъри дэркIэ дерс ирикъурт Япэ дыдэу дезыгъэджахэм ящыщщ Ахьмэдхъан. ФIэлIыкIышхуэ зиIэ, пщIэ зыхуозыгъэщIыф цIыхут ар. Сэ сщIэжыркъым адрей ди егъэджакIуэхэм хуэдэу Ахьмэдхъан зэгуэр къыддэуэршэрауэ. Нэхъыжьрэ нэхъыщIэрэ я зэхуаку дэлъ адыгэ зэхущытыкIэр ди деж щызекIуэрт. Сыт хуэдизрэ дыщIэмыупщIэми, и гъащIэр къызэрекIуэкIам, Хэку зауэшхуэм зэрыхэтам и гугъу ауи къытхуищIыртэкъым. НэгъуэщI Iуэху зэрихуэуи плъагъунутэкъым — дызыщIэс пэшым къыщIыхьа нэужь, ар кафедрэм бгъэдэувэрт, и тхылъымпIэхэр къыдихырти, занщIэу къыдбгъэдилъхьэну щIэныгъэм и щхьэр къитIатэрт, и псалъэр псори лэжьыгъэм етауэ екIуэкIырт. НэгъуэщI зыи си нэгу щIэкIыркъым. Ар етIысэхауэ шэнтым тесу плъагъунутэкъым, еджакIуэхэм къытхэтт, псори лэжьыгъэм дыхишэу, абы къыхэкIи къыхэплъи димыIэу дыхригъэлъасэрт. ЦIыху гъэщIэгъуэн дыдэт Ахьмэдхъан. И нэгум иплъагъуэ ткIиягъыр Хэку зауэшхуэ зыхэтам къыхилъхьа хьэл-щэнхэм ящыщу къыщIэкIынт. Ауэ и псэр мамырт. Сабырагърэ шыIэныгъэшхуэрэ зыщIэплъагъуэ нэгут ар. Дэри абы зыдэтщIу зы щытыкIэ къытпкърыхьэрт. Ауэ жиIам зы мэскъалкIэ уебакъуэ зэрымыхъунури псэкIэ зыхыдигъащIэрт. Ахьмэдхъан и дерсым унэ лэжьыгъэр умыщIыжауэ укIуэ хъунутэкъым. Мис абы епха зы гукъыкIэжкIэ сывдэгуэшэнут. Япэ-етIуанэ курсхэм дыщIэст абы щыгъуэ, Ахьмэдхъан рассказ зэхэтлъхьэн хуейуэ пщэрылъ къыщытщищIам. Ар тыншт ди дежкIэ? Шэч хэлъкъым, къалэнышхуэт. Ауэ сэ сыщыгуфIыкIат абы, икIи рассказу стхынур хьэзырыххэти, зы тетрадь пIащIэ цIыкIу къасщтэри сытхэу щIэздзащ. Къалэмыр тхылъымпIэм тезгъэуващи, зыкIи гугъу сыдемыхьу гупсысэхэр езыр-езыру къокIуэ. СыщыгуфIыкIырт: си гъащIэм япэу рассказ стхыуэ арат. Хьэзыр щыхъум, зыбжанэрэ сыкъеджэжащ. Иджы Ахьмэдхъан зыбгъэдэт кафедрэм деж сыщыту си тхыгъэм сыкъызэреджэжынур си нэгу къыщIэзгъэхьэрт… Арати, къэсащ сызыпэплъэ махуэр. Си курсэгъухэми псоми загъэхьэзырат — щхьэж зэрыхузэфIэкIкэ я тхыгъэхэр зэхагъэуват. Нэхъыщхьэу акъыл къыхэтхащ мы Iуэхум. Псалъэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщауэ птхыныр зэрымыIуэху псынщIэри, абы щхьэкIэ хьилым убгъэдэлъын зэрыхуейри псоми къыдгурыIуат. Щхьэж итхам къоджэжри щысщ. Уэзджынэ къеуами, зыри дыщIэкIыркъым, псори дыхуопабгъэ Iуэхум. Апхуэдэу щыт пэтми, дыщтэIэщтаблэщ, тIэкIуи дошынэ. Ауэ нэхъ тегушхуар, сэ стхам сыкъеджэнщ жызыIар Псыгуэнсу щыщ Мыз Алёшэрэ сэрэт. Арати, Ахьмэдхъан къыщIыхьэри къыдэупщIащ, хэт къеджэн итхам, жиIэри. Сэ сыкъызэреджэнур жаIэу си пIэкIэ си курсэгъухэм егъэджакIуэм жэуап иратащ. СокIуэ, тхьэ, си рассказыр сIыгъыу, сыкъеджэм зэфIэкIа си гугъэу, къыспэплъэри сымыщIэу. ЗэкIэлъызмыгъэпIащIэу, зэрыхъукIэ IукIафIэ сщIыуэ сыкъеджащ рассказым. «КIуэ, тIыс!» — жиIэри сигъэтIысыжащ Ахьмэдхъан, пхъашагъ щIэлъу. Насып сиIэти сыщытакъым, армыхъуамэ сыкъэджэлэнт. «Хэт тепсэлъыхьын Къущхьэхэ я пхъум итха рассказым?» — жиIэри щIэупщIащ Ахьмэдхъан. Зыми зыри жиIакъым. ЕтIуанэуи щIэупщIащ, ауэ зы цIыхум зы псалъэ пидзыжакъым. «НтIэ, сэ сытепсэлъыхьынущ», — жиIащ езы Ахьмэдхъан. Кърегъажьэри, еуэ къызошхыдэ, еуэ къызошхыдэ. «Апхуэдэ ятхрэ, апхуэдэу жаIэрэ?» — жи. Иджы стхар зытеухуар ди классым къыщыздеджа щIалэ цIыкIуитIт, Цырхъохэ ящыщу Вовэрэ Славэрэ жаIэу. А цIыкIуитIыр зэтIолъхуэныкъуэт. Вовэр нэхъ щIалэ псынщIэт, езыр нэутхэти, классым щIэсу хъуам фIыуэ тлъагъурт. ЩIалэ зэкIэлъыкIуэт, усэхэр къыIурыщэщу жиIэрт, гушыIэрейт, цIыху нэжэгужэт, классым диIэ зэныбжьэгъугъэр зэтезыIыгъэхэм ящыщт. ЖыпIэнуращи, Вовэ щхьэкIэ зыкъедгъэукIынут. Славэ щIалэ Iэсэ цIыкIут, сабырт, цIыху щабэт, классым щIэсуи щIэмысуи къэпщIэнутэкъым. ЕджапIэр къэдухри, мазих фIэкIа дэмыкIауэ, жэщу, къуажэм уэлбанэшхуэ щекIуэкIауэ, ток кIапсэхэр жьым къыпиудри уэздыгъэхэр ункIыфIащ. Вовэр ягу зэщIэщIам ису пщIантIэм къыдэкIащ зыщIыпIэ кIуэну. Мо кIыфIым гъуэгум телъ кIапсэ къыпыудам шыр теуващ. Шыр токым щиукIым, щIалэр IэкIэ абы еIусэри, ари асыхьэту иукIащ… Къэхъуар гущIыхьэ къуажэдэсхэм ящыхъугъат. Абы рассказ къыхэсщIыкIауэ арат, я цIэри зэсхъуэкIатэкъым, къэхъуари зэрыщытам хуэдэу стхыжат. КIэухыу зы гупсысэ пыстхэжат: «Хэт зыщIэр, сыт дэ пщэдей къытпэплъэр, гъащIэ хьэмэрэ ажал?» А пыстхэжарат имыдэу Ахьмэдхъан псалъэр къызытригъэхъеикIар. «ЦIыхур ажалым къыхураджэрэ? АбыкIэ гупсысэр ягъэтIылъыжрэ? Псалъэми гупсысэми сыт къалэну яIэр? ГъащIэм укъыхураджэу, псэуныгъэм урагъэхъуапсэу щытын хуейщ, — жиIэри, мащIэми куэдми цIыху гъащIэм теухуауэ кIыхьу къыдэпсэлъащ. — Мыбы щIэсу хъуар букIащ, птхым дяпэкIэ хуэсакъ. Ауэ… Уэ «тху» пхузогъэув. Уи гум илъыр уи жьэкIэ къыбоIуэтэф, псалъэр зэIубощэф икIи хъарзынэу боукъуэдииф». ЖыпIэр гунэс щымыхъумэ, ибзыщIынутэкъым, щхьэихауэ къыбжиIэнут. Уигу еуэну аркъудей апхуэдэ гуращэ иIэтэкъым. НэхъыфI узэрищIыным, гъуэгу захуэ узэрытригъэувэным, узэриунэтIыным хущIэкъуу арат. Дигъасэрт, цIыху къытхищIыкIыну пылът. ЩIэныгъэу къыдитми хэлъыр арат — цIыхугъэм дыкъызэрытемыкIын, пэжыр ди гъуазэу зэрыщытын. И пхъашагъри дэркIэ дерс ирикъурт. Зэзэмызэ къыщыпыгушыIэкIи къэхъурти, ари гъэсэныгъэу зэIылът. Литературэр фIыуэ дигъэлъэгъуащ Нало Ахьмэдхъан. Ди гур хуиунэтIащ, дытхэфу, ди гупсысэмрэ ди псалъэмрэ зэлъэдгъэIэсыфу дищIащ. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ Ахьмэдхъан иримыгъэджа ди ныбжьхэм яхэту къыщIэкIынкъым. Дэтхэнэми жиIэжын иIэу къысщохъу, ауэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу Нало Ахьмэдхъан теухуа гукъэкIыжхэм гузэрыдзэ уэзыгъэщIын къахэкIыну, апхуэдизкIэ цIыхур фIыуэ илъагъуу, ар фIы хуигъэзэну хуейти. ЦIыху нэгъэсам цIыху зэригъэсэфынур Налом и щапхъэм къегъэлъагъуэ. Сэ сыхуэарэзыщ Ахьмэдхъан, дигу къызэрыкIыжыр фIыщи, фIы хуэзауэ Тхьэм къыщIигъэкI! ЩОМАХУЭ Дусэ, Тамбовскэ къуажэм дэт, Щомахуэ Алексей и цIэр зезыхьэ курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ. ХужаIахэм щыщ пычыгъуэхэр Напэр, лIыгъэр,зэхэщIыкIыр зи гъуазэ Ахьмэдхъан и рассказхэр художественнагъ и лъэныкъуэкIэ гу зылъатапхъэщ — ди рассказхэм иджыри къэс ямыIа гъэпсыкIэ зиIэ яхэтщ: ахэр нэщэнэ зыхэлъщ, зытеухуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр умыщIэххэу щIагъыбзэкIэ къаIуатэ. Ауэ щыхъукIи, абы щызэкIэлъыхьа Iуэхугъуэхэм узыIэпашэ, Iэпэдэгъэлэл умыщIыфу, нэхъыщхьэм урашалIэ. Ар классикэ рассказхэм я гъэпсыкIэм щыщ зыщ. ЕтIуанэу, Налом и рассказхэм псалъэ фэрыщI хэткъым. ГъащIэм и къэхъукъащIэ пыухыкIахэм ахэр апхуэдизу нэрылъагъуу тепсэлъыхьащи, уэр-уэру рассказым и гупсысэ нэхъыщхьэм ухуокIуэж. Бзэ и лъэныкъуэкIи ахэр гъэхуауэ тхащ, шэрыуэщ, къеджэгъуафIэщ, зэрызелъафэ жыIэгъуей я мащIэщ, псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ зэщыщхъуу къыщыгъэсэбэпащ. Мис абыхэм жан ящI а рассказхэр. Ауэ, дэ къызэрытфIэщIымкIэ, Налом и зэфIэкIыр нэхъри зыузэщIыр абы гъащIэм хуиIэ гуапагъэрщ, цIыхухэм дзыхь яхуищIу зэрахуэхьэлэлырщ. А хьэлэлагъым и макъщ Ахьмэдхъан и рассказ нэхъыфIхэр. ЩОДЖЭНЦIЫКIУ Iэдэм, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ. * * * Налор макъ Iэта егъэлеякIэ псалъэркъым, уеблэмэ языныкъуэхэм деж нобэрей гъащIэм шындэбзиймкIэ хукъуэплъ хуэдэщ, ауэ егъэлеяуэ нэ жанрэ гупсысэ тэмэмрэ къегъэлъагъуэ. Ди литературэр зытхьэлэ «зыпэщIыж-зегъэщхь» псэлъэкIэр Налом и бийщ, и нэIэ нэхъыбэу зытригъэтыр езыр фIыуэ зыщыгъуазэ цIыхухэм я дуней тетыкIэрщ. ЖыпIэ хъунущ нобэрей прозэм цIыху псэудэу, хьэл щыз нэтхыса къыхыхьэмэ, ар Налом куэдкIэ и фIыщIэу: Iуэхугъуэ гуэрхэр, дунейм къыщыхъу цIыху Iэужьхэр къетхэкIыныркъым ар дэзыхьэхыр, атIэ къигъэлъагъуэ цIыхум и цIыхугъэр, и напэр, и лIыгъэр здынэсыр къэхутэнырщ. Напэ-напэншагъэ — а еплъыкIитIырщ Налор цIыхум зэрыбгъэдыхьэр. Нэщхъеягъуэ мащIэм хэшыпсыхь лиризмэрщ Ахьмэдхъан и тхыгъэхэр нэхъыбэу гурыхь зыщIыр. Абы къешэ «псэлъэкIэ гъэпщкIуакIэ» узэджэ хъун нэщэнэхэр: Налом и тхэкIэр, дэ къызэрытфIэщIымкIэ, зыгуэрым ебгъэщхьын хъумэ, Чеховырщ япэу гур зыхуэжэр, ауэ къару, псэ а тхыгъэхэм нэхъыбэу хэзылъхьэр, дауи, пэжыфэ мащIэр пэж дыдэ къыпщигъэхъуну хущIэкъу тхыгъэ нэмыщIысам Налор зэрыпэжыжьэрщ. ЦIыхугъэмрэ лIыгъэм-рэ я зэхэгъэкIыпIэр, дауи, псэзэпылъхьэпIэм дежщ. Ахьмэдхъан апхуэдэми куэдрэ тотхыхь, ауэ Iуэху цIыкIуфэкIухэми къагъэлъагъуэ цIыхум и напэм-рэ и лIыгъэмрэ здынэсыр. СОКЪУР Мусэрбий, критик. * * * Адыгэ прозэм хуэIэижь тхакIуэхэм ящыщ зыщ зи IэдакъэщIэкIхэр цIыхубэм гунэс ящыхъуа На- ло Ахьмэдхъан. Абы и творчествэм щынэрылъагъущ псэм и гурыгъу-гурыщIэр щытепщэ иджырей адыгэ рассказым и гъэпсыкIэр. ЩIалэ дыдэу Хэку зауэшхуэм хэта Ахьмэдхъан и гъащIэкIэ щымыгъупщэжыну игу къинащ а зэман гуащIэм ди цIыхухэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр, сыт хуэдиз гугъуехьрэ бэлыхьрэ ямыгъэвами, цIыхупсэр зыгъэдахэ гурыщIэ къабзэр, цIыхугъэр яфIэмыкIуэду, а зэман гугъур зэрырахьэкIар. Налом и рассказхэр гуимыхуж ящI а псори пэжу, къабыл пщыхъуу уи нэгу къыщIэзыгъэувэж образхэм. Я нэхъ Iуэху гуауэми гузэвэгъуэми щытепсэлъыхькIэ, тхакIуэм зэи IэщIыб ищIыркъым цIыхугъэмрэ гущIэгъумрэ. Апхуэдэщ зауэм и мафIэм хэтми, я нэхъ псэзэпылъхьэпIэм къихутами, лIыгъэм щIыгъуу цIыхугъэр, псэ къабзагъэр зыфIэмыкIуэд ди зауэлIыр. А гупсысэмкIэ узэщIащ зауэм теухуауэ Налом итха тхыгъэхэр. Абы къыдэкIуэу, тхакIуэм къегъэнахуэ гъащIэм и пакIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, зэманым и нагъыщэу щыт цIыхупсэр зыгъэпIейтей Iуэхушхуэхэр. Нало тхакIуэм илъагъу хъуркъым (ар и творчествэ псом щынаIуэщ) фэрыщIыгъэр, гъащIэр зэрыщымыту, тафэтелэу, зы бзыпхъэм иту къэгъэлъэгъуэныр. Налор зи акъылрэ зи гурыщIэкIэ жану гъащIэм и къэхъукъащIэхэм еплъыф цIыхущ. Абы къилъагъур и нэм къыIуидзэ къудейркъым, атIэ нэгъуэщIхэм гу зылъамытэр къелъагъуф, гъащIэм дерс тэмэмхэр къыхихыфу, акъылкIэ, гурыщIэкIэ жыжьэу кIуэцIроплъ, и художественнэ тхыбзэм къригъэтIасэм псэ хилъхьэфу. Языныкъуэ тхакIуэхэм зэращIым хуэдэу, си тхыгъэхэмкIэ вжесIэну сызыхуеяр мырат, жиIэу, тхыгъэм и кIэр щIиIуантIэу, къиIуэтэну зыхуея псори зыгъэбелджылы дерс ищIыжыркъым, сы-ту жыпIэмэ тхакIуэ Налом и Iэдакъэ къыщIэкI а тхыгъэ нэхъыфIхэм я гъэпсыкIэм, япкърылъ купщIэм, пхраш гупсысэм къыпкърокIыж тхакIуэм тхылъеджэхэм я пащхьэм ирилъхьэну зыхуея дерсыр. Ахьмэдхъан и IэдакъэщIэкIхэм ущытепсэлъыхькIэ, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым и тхыгъэхэр зэрызэIуищэ бзэм. Ар бзэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр, и бзэм пкърылъ дахагъэр щапхъэщ. Налом псалъэр зэрыхуейм хуэдэу егъэшэрыуэ, зыхуей гупсысэр зэхьэлIа псалъэ дыгъэлыр Iэрыхуэу къегъэIурыщIэ. Ар псом япэу зи фIыгъэр тхакIуэм псалъэм гулъытэ ин дыдэ зэрыхуищIырщ. ШЭВЛОКЪУЭ Пётр, тхакIуэ, критик. * * * Адыгэ интеллигенцэм щыщ псоми пщIэрэ щIыхьрэ зыхуащI я нэхъыжьыфIт Нало Ахьмэдхъан. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Адыгейми Шэрджэсми щыцIэрыIуэт. Налом и зэчий иным пщIэшхуэ хуащIырт, цIыху Iущу, щэджащэу, тхакIуэ Iэзэу, акъыл щыпкъэу зэрыщытым, абы хэлъ цIыхугъэм, Хэку зауэшхуэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм, адыгэ лъэпкъыр игъэдахэу, игъэлъапIэу дунейм зэрытетым папщIэ. МЭШБАЩIЭ Исхьэкъ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ. * * * Ди прозэр иужьрей илъэс пщIейм гъуэгуанэщIэ техьамэ, ар псом япэ зи фIыщIэхэм хабжэ анэдэлъхубзэм и IэфIыпIэмрэ и дахапIэмрэ куу дыдэу къыщIэзыгъэлъэф тхакIуэ телъыджэ Нало Ахьмэдхъан. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIа дэтхэнэ тхыгъэри зэрыкупщIафIэм, зэрыщIэщыгъуэм, гупсысэ куукIэ зэрыгъэнщIам шэч къытезыхьэн щыIэкъым. Си щхьэкIэ сэ ахэр къызолъытэ адыгэ прозэм и лъагапIэхэм ящыщ зыуэ. Ахьмэдхъан и тхыгъэхэм тэрэфарэ лъэпкъ хэлъкъым. Ар гуауэуи гухэщIуи щрырет — тхакIуэр зытетхыхь цIыхухэм я Iуэхур, я гум, я псэм щыщIэр щIиуфэркъым, фэрыщIыгъэ лъэпкъ хэмылъу гъащIэм и пэжыр етхыж. ЦIыхум и гущIэлъапсэм нэплъыс, абы и гурыгъу-гурыщIэхэр къалэм жанкIэ къыщIэзыгъалъэ, дэтхэнэ цIыхуми цIыхугъэ лъагэрэ дуней хьэлэмэтрэ дэзылъагъуф тхакIуэт Ахьмэдхъан — ар куэдым яхузэфIэкIыркъым, къызэхъулIэри гъащIэм и уэрыпIэм хэшасэ къалэм зыгъабзэ тхакIуэ набдзэгубдзаплъэрщ. Апхуэдэут дэ псоми Нало Ахьмэдхъан зэрытцIыхур. Абы куэдрэ ди литературэм и жьантIэр иIыгъащ. КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид, тхакIуэ, критик. * * * Хышхуэр ткIуэпс-ткIуэпсурэ, мэзыр жыг зырызурэ зэрызэхэтым хуэдэу, лъэпкъ литературэр ар къэзыгъэщIа, зыухуа, лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм зезыгъэужьа тхакIуэхэм я цIэмрэ абыхэм я IэдакъэщIэкIхэмкIэ зэхэтщ, языхэзми и увыпIэ щхьэхуэ щиубыдыжауэ. Къэбэрдей литературэм и тхыдэм ухэплъэмэ, нэхъыбэ зыхузэфIэкIауэ жьантIэр къэзылэжьахэм ящыщщ тхакIуэ, егъэджакIуэ, щIэныгъэлI, зауэлI хахуэ Нало Ахьмэдхъан. Дэтхэнэ тхакIуэ нэсми хуэдэу, абы и пщэ къыдэхуа къалэн нэхъыщхьэ дыдэр литературэм щигъэзэщIащ — зыми хэмыгъуащэ художественнэ дуней къигъэщIын лъэкIащ. И тхыгъэхэр зэрыщыхьэт наIуэщи, и хъэтIкIи, и образ гъэпсыкIэкIи, зытетхыхь IуэхугъуэкIи, сюжетыр зэриухуэ щIыкIэкIи, бзэм и Iэмалу къигъэсэбэпхэмкIи ар зэбгъэпщэн, зыхуэбгъадэ хъун нобэр къыздэсым гъуэтыгъуейщ. Нало Ахьмэдхъан и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ къызэщIэпкъуэмэ, къыхэгъэщыпхъэщ ар тхакIуэ нэсу, цIыху акъылыфIэу, егъэджакIуэ Iэзэу, щIэныгъэлIу зэрыщытам къыдэкIуэуи, зауэлIу, хэкулIу, къызыхэкIа лъэпкъми къэралми я хьэкъ къытемынэу, псэемыблэжу хуэлажьа цIыху гуащIафIэу зэрыщытар. IущыгъэкIэ гъэнщIа абы и тхыгъэхэр нобэкIи лъэпкъыр зэрыгъуэзэн, щIэблэр зыщIэппIыкIын щапхъэ екIущ. ХЬЭВЖОКЪУЭ Людмилэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат. ЦIыхугъэр япэ иригъэщырт «Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхум и закъуэщ. ИщIар ищIэжу, ищIэнум гугъэ хуиIэу щытщ ар. Гугъэр цIыхущ, мыгугъэр цIыхуу щытами, цIыхугъэм икIащ», — итхыгъащ къызыхэкIа лъэпкъым зигури зи псэри, псынэпс къабзэу, хуитхьэщIыкIауэ щыта адыгэлI щыпкъэ, щIэныгъэлI нэс, гъэсакIуэ емышыж, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан. Нало Ахьмэдхъан хуэдэу цIыхумрэ цIыхугъэмрэ пщIэ хуэзыщIыфа къэгъуэтыгъуейщ, апхуэдизкIэ ахэр илъытэрт, иIэтырт, игъэлъапIэрти. ЦIыху сэфэтым икIыным къихь гузэвэгъуэри цIыхугъэм ебэкъуэным къыхэкI бэлыхьлажьэри зэхихам икIи зэхищIыкIам къыщымынэу, и нэгу щIэкIат, гукIи псэкIи игъэват. Нало Ахьмэдхъан и дуней зэхэщIэми, и псалъэми, и IуэхущIафэми курыхыу яIар ЦIыхурщ. ЦIыху гъэсэныр, цIыхум цIыху къыхэщIыкIыныр, дунейр цIыхукIэ зэджэм къыхуэгъэнэныр и гуращэу, и хъуэпсапIэу, и лэжьыгъэу псэуащ. Ар абы къызэрехъулIам, а Iуэхум гуащIэдэкIыу хилъхьар зэрылъэужьыншэм шэч хэлъкъым — и IэдакъэщIэкIхэм уахэдэмэ, къахэпхыфыркъым, уахэплъэмэ, къыпхухэщыпыкIыркъым — псори зэхуэдэу гуащIафIэщ, купщIафIэщ, и ныбжьэгъуу щыта тхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд и псалъэкIэ жыпIэмэ, нэгъэсауэ гъащIафIэщ. Нало Ахьмэдхъан ящыщщ зи тхыгъэхэр лъэпкъым гунэс ящыхъуа тхакIуэхэм. НыбжьыщIэ дыдэу Хэку зауэшхуэм хэта Ахьмэдхъан игъащIэкIэ щымыгъупщэжыну игу къинат а лъэхъэнэ бзаджэм цIыхум зэрихьа лIыгъэр. Сыт хуэдиз гугъуехь игъэвами, ар цIыху зыщI, зыгъэдахэ гурыщIэ къабзэр, цIыхугъэр фIэмыкIуэду а илъэс бзаджаехэр зэрырихьэкIам лъапIэныгъэшхуэ иритырт. ИкIи, сыт хуэдизрэ абы тетхыхьами, цIыхугъэмрэ гущIэгъумрэ ехьэлIа Iуэхугъуэхэр япэ иригъэщырт, абыхэм къахуриджэ зэпытт. ЛIыгъэм щIыгъуу цIыхугъэр, псэ къабзагъэр зыфIэмыкIуэда зауэлIыр щапхъэу игъэувырт, удимыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу абы и шыфэлIыфэр шэщIауэ къигъэлъагъуэрт. Ауэ Налом итхахэм къыхэщыр зауэм и закъуэкъым, абы къызэрегъэдзэкI гъащIэм и ныбз зэмылIэужьыгъуэхэр, къеIэт цIыхухэр зыгъэгумэщI-зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр, йоIэбэ цIыху зэхущытыкIэхэм я щхьэфэми. Нало Ахьмэдхъан псэуху бэнэныгъэ иригъэкIуэкIащ. Зыр — IэщэкIэ, адрейр — къалэмкIэ. Зауэ гуащIэм лIыхъужьыгъэ къыщигъэлъагъуэу хэтащ Налор. Ауэ къалэмымкIэ иригъэкIуэкIа бэнэныгъэм ищхьэкIэ игъэкIуа щыIэкъым. Гукъинэжыр дерсу къэзылъытэу щыта тхакIуэм къалэмыр Iэщэ мыубзэщхъуэж хуэхъури, мыкIуэдыжын лэжьыгъэ къиIэтат. Адыгэ тхакIуэшхуэр къызэралъхурэ нобэ илъэси 100 ирокъу. Налор зи акъылрэ зи гурыщIэкIэ жану гъащIэм и къэхъукъащIэ дэтхэнэми куууэ кIэлъыплъыфа, екIуу къэзыIуэтэжыфа цIыхущ. Абы къилъэгъуар нэм къыIуидзэ къудейркъым, атIэ ущэхуауэ дунейм къыщекIуэкI Iуэхухэр къыщIигъэщырт, къигъэщI теплъэгъуэхэмрэ лъыхъужьхэмрэ псэ яхилъхьэрт. ТхакIуэ нэсым и гуащIэдэкIкIэ къилэжьыжащ и щIыхьыр, и пщIэр. Ар къызыхэкIа лъэпкъым мыкIуэщIыжу къызэрыдэгъуэгурыкIуэнуми пцIы хэлъкъым. Табыщ Мурат. Ар нэгъэсауэ адыгэлIт Сэ куэдрэ къысхуихуащ гуп сахэсу адыгэлI щэджащэхэм я гугъу щащIкIэ Нало Ахьмэдхъан и деж нэса нэужь, мыхуэдэу зыкъысхуагъазэу: — Уэ, Iэдэм, Ахьмэдхъан уригъэджащ, зы кафедрэ удыщIэсу илъэс IэджэкIэ удэлэжьащ. Сыт хуэдэу уигу къинэжа ар? — «ЛIыфIу». Аращ апхуэдэ дакъикъэхэм деж зэуэ жэуапу стыну згъуэтыр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ «егъэджакIуэфIу», е «щIэныгъэлI набдзэгубдзаплъэу», хьэмэрэ «тхакIуэ Iэзэу» жысIэкIэ, жэуапыр жыжьэуи ныжыIыса хъуркъым. Апхуэдэ дыдэуи, зэфIэкIыркъым «цIыху пэжу», «захуэм и телъхьэу», «зэхэгъэж зымыщIу», «лIыгъэ зыхэлъу» гъэбелджылыкIэхэм щыщ гуэрымкIи. ЗэфIэкIыркъым, псэкIэ IэфIу зыхэпщIэ мыхъумэ, жьэкIэ пхуэмыIуатэ, лIыфIым хэлъын хуей апхуэдэ хьэл-щэн, дуней тетыкIэ, дуней еплъыкIэ телъыджэ куэду зэхэлът абы и гъащIэри. СССР-м и тхакIуэхэм я зэIущIэшхуэм хэтщ. 1981 гъэ Ахьмэдхъан и деж щыпхузэхэхынкIи щхьэхуэу ущытепсэлъыхьыфынкIи Iэмал иIэкъым ар щызауэлIами, щыегъэджакIуэми, щыщIэныгъэлIми, щытхакIуэми, гуфIэгъуэ Iэнэм щритхьэмадэми, ауэ и ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм е студентхэм щахэтми: ар сытым щыгъуи зы фэмрэ зы щытыкIэмрэ итт, егъэлеяуэ фIэлIыкI зиIэт, нэмысышхуэрэ жэуаплыныгъэрэ зыбгъэдэлът. Ар апхуэдизкIэ зэщIэкъуауэ, зэпIэзэрыту, къекIуу хуэпауэ, набдзэгубдзаплъэу гъащIэм пхырыплъу, уардэу зиIыгъыу, нэхъыжьми нэхъыщIэми яхуищIыпхъэ пщIэр ялъигъэсу, щыпхъашэнури щыщабэнури ищIэжу дунейм тетти, зыхэтым къахэлыдыкIырт. Куэд дыдэрэ къэхъурт ар зыцIыхухэм, псом хуэмыдэу нэгъуэщI лъэпкъхэм къыхэкIахэм ящыщхэм, кафедрэбжэр ныIуахрэ «Адыгэ джыназыр дэнэ щыIэ?» — жаIэу ныщыщIэупщIэ. ТхущI гъэхэм иджыри аспирантурэм щIэсу егъэджакIуэу лэжьэн щIидзэри, илъэс 60-м нэблагъэкIэ университетым щылэжьати, ар лекцэм хуэмыхьэзыру аудиторием щIыхьауэ зылъэгъуа къэгъуэтыгъуейщ. Иджыпсту хуэдэу сощIэж адыгэбзэм и морфологиемкIэ абы тхуригъэкIуэкIыу щыта лекцэ купщIафIэхэр. Ахьмэдхъан материалыр апхуэдизкIэ щызу къыдитырти, тхылъ дымыгъуэтми, лекцэр здиттха ди тетрадхэмкIэ экзаменым зыхуэдгъэхьэзыр хъурт. Телъыджэ дыдэ къытщыхъупэр адыгэ IуэрыIуатэмкIэ иригъэкIуэкI занятиехэрт. Ахьмэдхъан апхуэдизкIэ и гум, и псэм къыщIикъузыкIыу нарт лIыхъужьхэм я IуэхущIафэхэм, нарт цIыхубзхэм я дахагъымрэ Iущагъымрэ, адыгэ нарт эпосым щIэлъ философие гупсысэхэм, ар алыдж мифологием пыщIа зэрыхъу Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьырти, дэ, адыгэ студент ныбжьыщIэхэр, апхуэдэ дакъикъэхэм псэкIэ дыкъыщыхутэрт Прометей хуэдэ дыдэу Тхьэхэм Нэсрэн ЖьакIэ нэпкъым щрапха, Лъэпщ Iэ пцIанэкIэ гъущI гъэплъар къыщигъэш, Сосрыкъуэ нартхэм мафIэрэ ху жылэмрэ къащыхуихьыжа, чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу Бэдынокъуэ батэр щигъэш, Мэлэчыпхъу Iущыцэ цIыкIум и акъыл жаныр уафэхъуэпскIыу щылыд нартыжь хэкум. Сэ сщIэжыркъым сыщеджа зэманми нэхъ иужьыIуэкIэ адыгэ кафедрэм Ахьмэдхъан сыщыдэлэжьа илъэсхэми абы зэрыригъэджа дисциплинэхэмкIэ студент гуэрми экзаменхэм оценкэу «тIу» къыщихьауэ: япэрауэ, студентхэм а дерсхэр фIыуэ ялъагъурт, етIуанэрауэ, хэтыт Ахьмэдхъан фIэмылIыкIыу экзаменым пхуекIуэлIэнур зимыгъэхьэзырауэ! А фIэлIыкIыныгъэм теухуауэ зы Iуэхугъуэ цIыкIу сыкъытеувыIэнут, университетым хъыбару дахьэжауэ щытауэ. АтIэ, Ахьмэдхъан нэмысыншагъэ зэридэн дунейм теттэкъым. Арати, махуэ гуэрым зэи здыщIэмыхьа курсым лекцэ къыщеджэну щIыхьауэ плъэри егъэджакIуэм пщIэ хуащIу къыхузэфIэува адыгэ студент гупым щыщу зы хъыджэбз цIыкIу къэмытэджауэ хуигъэфэщащ. Университетым и адыгэ отделенэм къыщIэтIысхьа пщащэ цIыкIум апхуэдэ хабзэншагъэ къылъыкъуэкIыныр игу техуэнт мо хабзэщIэкъум: къызэкIуэкIащ нэрылъагъуу. «Тэдж!» — жриIащ щIыIэ дыдэу, ауэ хэкъузауэ. Модрейм зигъэхъейркъым. «Тэдж!» — щIыфэр зыгъэтхытх щIыIагъэ хэлъу и макъым зригъэIэтащ Ахьмэдхъан. Гупым гузэвэгъуэр къакIэщIэзэрыхьащ. Мо пщащэ цIыкIуми гузэвэпауэ и щхьэр къиIэтри «Сэ сыщытщ, Ахмедхан Хамурзович!» — къыдришеящ зэхэпх къудейуэ. Ахьмэдхъан къэуIэбжьауэ къекIуэкIрэ еплъмэ — хъыджэбзыр зэфIэтт. Ауэ ар апхуэдизкIэ лъахъшэ цIыкIути, здэщыт щIыпIэм къыкъуэщ къудейуэ арат. Абдежым аудиторие щхьэгъубжэхэм хэлъ абджхэр игъэзджыджкъэ жыпIэну Ахьмэдхъаныр (ар езыр лIышхуэт) къыщеудри мэдыхьэшх. Зигу къызэрыгъуэтыжа студентхэри мэдыхьэшх. ИтIанэ ар пщащэ цIыкIум бгъэдыхьэщ, и щхьэфэм Iэ дилъэри, «Извини, девочка. Пожалуйста, извини» жиIэурэ хуэгуфIэри, къыбгъэдэкIыжащ. Лекцэри хъарзынэу екIуэкIыгъащ. Ари Ахьмэдхъан и хьэл гъэщIэгъуэнхэм ящыщ зыт: зыгуэркIэ жэкъуауэ сыт хуэдэу къызэщIэмынами, Iуэхум и тэмэмыпIэр къызэрищIэу напIэзыпIэм губжьыр щхьэщыкIырти, «Извини, пожалуйста, ради Бога извини!» — жиIэфырт, «еIым еI, сэ жысIащи, пэжыр сэ зэрыжысIам хуэдэущ» жиIэу имыукъуэдийуэ. Си гугъэщ ари лIыр лIыуэ къозыгъэлъытэ хьэлхэм ящыщу. ИщхьэмкIи зэрыщыжытIащи, Ахьмэдхъан цIыхур я къулыкъукIи, мылъкукIи, ябгъэдэлъ зэфIэкIкIи, ныбжькIи, лъэпкъкIи зэхэгъэж ищIыртэкъым. Лэжьэгъуэ зэманым и ужькIэ ар Налшык паркым иту плъагъунут ди тхакIуэ, усакIуэ, щIэныгъэлI нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм я гъусэу. ТIэкIу зигъэпсэхуну ди лэжьэгъухэм щыщ гуэрхэри ди гъусэу и къуажэжь Хьэтуей сшэжамэ (сэ машинэ сиIэти, ар и анэм, и къуэшхэм я деж, е Урыху Iуфэ Iут и унэ цIыкIум щIэх-щIэхыурэ сшэжырт), Ахьмэдхъан фIы дыдэу илъагъу, и тхыгъэхэми мызэ-мытIэу къыхэщыж и ныбжьэгъу Биту Нурхьэлий, нэгъуэщI лIыфI зыбжанэ и гъусэу, къригъашэрт, Iыхьлыхэр къызэхуэсырт. Жумартт Нало зэшхэр шыгъупIастэкIэ. Абы къыдэкIуэу, Ахьмэдхъан зыцIыхуу щытахэм ноби фIы дыдэу ящIэж щIэныгъэ хъарзынэ ябгъэдэлъу, ауэ я гъащIэр тэмэму зэрызэтемыувам къыхэкIкIэ куэдым зызыщадзей хъуа, пэщIэщIэгъу ящIыну зрамыпэсыж цIыху зыбжани абы ныбжьэгъуу зэриIар, ахэр щIэх-щIэхыурэ и Iэнэ пэригъэтIысхьэурэ къызэрекIуэкIар. «ЦIыхур цIыхущ, абы нэхъ лъапIэ щIым теткъым. Уанэгу ущисынри ущыдэхуэхынри гъащIэм щыбетэмалщ. Хутыкъуам и Iэпкълъэпкъым фащэ хуэхъуаркъым нэхъыщхьэр, а Iэпкълъэпкъым къыхэна псэм и къабзагъырщ», — жиIэгъащ Ахьмэдхъан, абы ехьэлIауэ сыщеупщIам. ЗыхузэфIэкIхэм, властым тепщэгъуэ щызиIэхэм и щхьэ щхьэкIэ зыгуэр къазэрыпихынкъым Хэку зауэшхуэм и лIыхъужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щIэныгъэлI щэджащэ «даметелъышхуэхэм» кабинет куэдым я бжэр зыхузэIуахыфыну щыта Нало Ахьмэдхъан дунейм тетыхукIэ зыпылъар — зи къарурэ зи зэфIэкIкIэ нобэкIэ гуащIэмащIэхэм зэрызащIигъэкъуэнырщ. Университетым филологхэр щагъэхьэзыр и институтым щылажьэ куэдым фIы дыдэу ящIэж нобэ зи щIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ республикэм хъарзынэу щацIыхуа, зэгуэрым щIалэ Iэщхьэ пцIанэу лэжьапIэ къэувауэ щытам и унагъуэр зыщIэсын унэкIи Ахьмэдхъан щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъугъар, езым зыщIигъум, къэбэрдей тхакIуэхэм яхишэурэ зэраригъэцIыхуар, и лэжьыгъэр зэрызэтригъэувар, уеблэмэ, зэман дэкIа нэужь, ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьэнымкIэ сэбэп зэрыхуэхъуфар. Сызэрыдэлэжьа илъэсхэм Ахьмэдхъан дэслъэгъуа а хьэл телъыджэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ар къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъуам теухуауэ 2012 гъэм и мэкъуауэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым щекIуэкIа щIэныгъэ конференцым Ахьмэдхъан и къуэ нэхъыжь Нало Даут щыжиIэгъар. «СыщыцIыкIум ди адэм куэдрэ сыздишэрт Налшык и журт хьэблэм, — игу къигъэкIыжащ Даут, — икIи зэи сщымыгъупщэжыну сигу къинащ гуапэу «У-о-о, Ахьмэдхъанышхуэ къэкIуащ!» — жаIэу къыпежьэу зэрыщытар. И ныбжьэгъухэм фIыщэу ялъагъурт. ЦIыхухэм зэи ятепсэлъыхьыртэкъым икIи ахэр зыкIи игъэкъуаншэртэкъым ди адэм. Мыгъуэхэми гущIэгъу яхуищIу щабэу яхущытт, шхыдэм и пIэкIэ абы къигъэсэбэпыр чэнджэщт, ущиет. Сыт хуэдэ дакъикъи щхьэщыжакIуэ хъуну хьэзырт. Лэжьыгъэм ипсыхьа цIыху къызэрыгуэкIхэм, зы хъугъуэфIыгъуэшхуэ гуэрым хущIэмыкъуу зи гуащIэкIэ псэухэм, Iуэхум зыкъыдагъахуэурэ нэгъуэщIхэми ядэIэпыкъуну хьэзырхэм ящыщт ар». Нало Ахьмэдхъан псоми тцIыху, псоми фIыуэ тлъагъу ди Ахьмэдхъан зыщIыжхэм ящыщ зы Iыхьэт абы егъэлеяуэ адыгэ нэмысыр зэрыхэлъыр, сыт хуэдэ Iуэхугъуэ къылъыкъуэмыкIами, ар хуэсакъыпэу и гум, и псэм зэрыщихъумэр. Илъэс тIощI фIэкIа мыхъуу зауэ IэнатIэм зауэлI къызэрыгуэкIыу Iухьа, офицеру къэзыгъэзэжа Нало Ахьмэдхъан 1943 гъэм «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащыну ягъэлъэгъуэгъат. Iуэхур ягъэтIылъыжын хуей щIэхъуари и Iыхьлы дыдэхэм ящыщ Хэкум ирагъэкIауэ зэрыщытарщ. Ауэ телъыджэр аращи, сэ Ахьмэдхъан зэрысцIыхуа зэман кIыхьым къриубыдэу зауэм щызэрихьа лIыгъэм я хъыбар кIапи дунейм къытригъэхьакъым. Зэгуэрым, ТекIуэныгъэшхуэр илъэс 50 щрикъу махуэр дгъэлъапIэу, Ахьмэдхъан щыхэзгъэзыхьыпэм мыращ къызжиIэгъар: «Зауэр — мафIэщ, цIыхуфэм дэгъэхуэгъуей гугъуехьщ, мэжэщIалIагъэщ, цIэщ, ажалщ, анэ гуIэгъуэщ, фызабэ нэпсщ. Сэ Алыхьым фIыуэ сыкъилъагъу хъунти, си насып текIуэри, сыкъелащ, армыхъумэ зэ топышэ гъунэгъуу къыщыуэри, шэ къутахуэм сщхьэрыгъ жыр пыIэр ибгъукIэ екIуэкIыу пхриупщIыкIыгъат. НэгъуэщI зэгуэри дибгъукIэ къыщыуа топышэм си зауэлI гупыр зэтриукIэри, си плIэм илъ автоматым и дакъэр сэкIэ паупщIам хуэдэу пихащ». Сыт сымыщIами, и дамыгъэхэр къыщIратам ехьэлIауи «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащыну щIагъэлъэгъуауэ щытам теухуауи Ахьмэдхъан зыри къысхупыхакъым. Къысхупыхакъым, и щхьэ тепсэлъыхьыжыныр фIэемыкIути, зыщIапIыкIа адыгэ хабзэм къемызэгъыу къилъытэрти. Ауэ абы зауэ лыгъейм и лъагъуэрэ гъуэгуу къызэпичар, зауэм хьэзабрэ бэIутIэIуу пыщIар, абы гущIэгъуншэу цIыхупсэм псы зэрыригъэжыхьыжыфыр дэтхэнэ тхакIуэми и хъэтIым хэмыгъуэщэну псэкIэ къыщиIуэтэфащ Ахьмэдхъан и «Къэрэгъул зэблэкIыгъуэ», «Лъагъуэхэмрэ гъуэгухэмрэ», «Рейхстагым адыгэбзи тетщ», «Псыхьэ нанэ» тхыгъэхэм. КъыщыIэта Iуэхугъуэхэм я пэжагъэрэ я кууагъкIэ ахэр пэгъунэгъу дыдэу къэплъытэ хъунущ Васильев Борис и «В списках не значился», Быков Василь и «Сотников», «Дожить до рассвета», Бондарев Юрий и «Горячий снег» зауэм теухуа тхыгъэ цIэрыIуэхэм. Гугъущ абы и лъэныкъуэкIэ акъылэгъу удэмыхъуну критик Къэрмокъуэ Хьэмид, мыпхуэдэу щитхкIэ: «Ахьмэдхъан и тхыгъэхэм тэрэфарэ лъэпкъ хэлъкъым. Ар гуауэуи гухэщIуи щрет, тхакIуэр зытетхыхь цIыхухэм я Iуэхур, я гум, я псэм щыщIэр щIиуфэркъым, фэрыщIыгъэ лъэпкъ хэмылъу гъащIэм и пэжыр етхыж». «Сэ Алыхьым фIыуэ сыкъилъагъу хъунти, си насып текIуэри сыкъелащ…» 1995 гъэм и накъыгъэ мазэм Ахьмэдхъан къызжиIауэ щыта а псалъэхэр мафIэм хуэдэу си Iэпкълъэпкъым ирижащ а псалъэмакъым и ужькIэ илъэсищ дэкIауэ, 1998 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 25-м. А махуэм Ахьмэдхъан и ныбжьэгъуфI усакIуэ Шэвлокъуэ Пётр и гъусэу кIуат Налшык щаухуа спорткомплексым. Абдеж щекIуэкI Iуэхугъуэхэм еплъу здэщысхэм Ахьмэдхъан Iуэху гуэр къылъыкъуэкIри къыщIэкIащ. Ар къызэрыщIэкIыххэу цIыху куэд зытет комлекс балконыр къехуэхри, Ахьмэдхъан къыбгъэдэса лIы зыбжанэ, Шэвлокъуэ Пётри абыхэм яхэту, гуузу хэкIуэдэгъащ… ТхакIуэ Нало Ахьмэдхъан и творчествэм адыгэ щIэныгъэлI куэд тепсэлъыхьащ, уеблэмэ диссертаци тратхыхьащи, си псалъэмакъым а лъэныкъуэмкIэ зыщезмыгъэубгъущэу мыращ гу зылъыстэну сфIэигъуэр: лъэпкъ литературэм нобэр къыздэсым имыIа гъуэгущIэ прозэм щыпхишыфащ Ахьмэдхъан. И тхыгъэхэм къыщиIэт IуэхугъуэкIи, ахэр зэриухуэ щIыкIэкIи, образхэр къызэфIигъэувэн папщIэ къигъэсэбэп псалъэ зэгъэпэщыкIэ IэмалхэмкIи ар зэщхь адыгэ тхакIуэхэм яхэткъым. Абы и IэдакъэщIэкIхэр, ахэр, псалъэм папщIэ, напэкIуэцI зыбжанэ фIэкIа мыхъу «Псыхьэ нанэ» рассказыр арами, «Псы Iуфэм Iут унэ цIыкIу», «Нэхущ шу» романхэрами, цIыхум яфIэфI, я гумрэ я псэмрэ дыхьэ тхыгъэхэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ Ахьмэдхъан и тхыгъэ телъыджэхэм ехьэлIэпащ литературовед Iэзэ Сокъур Мусэрбий зэгуэрым игъэнэхуэгъа гупсысэ хьэлэмэтыр: «Тхэр сыт и лъэныкъуэкIи текIуэу щытын хуейщ еджэм, ар акъыл гъэушщ, зыкIэлъызыгъэплъыжщ, зыгъэпабгъэщ, зыгъэдамэщ». Ахьмэдхъан и тхыгъэхэр, псом хуэмыдэу ахэр зэрытха бзэмрэ лIыхъужьхэм я къызэфIэгъэувэкIэ Iэмалхэмрэ лъэпкъ бзэщIэныгъэмрэ литературэхутэ щIэныгъэмрэ я налкъутналмэсщ. Тхыгъэхэм икъукIэ куэду ущрохьэлIэ зи ухуэкIэ телъыджэм укъагъэуIэбжь адыгэ псалъэухахэм е зы псалъэуха закъуэкIэ зыхущыщIэ щымыIэу къызэфIэгъэувэфа образ гъэщIэгъуэнхэм. Иужьрейм и щапхъэу мыри ирикъуни: «ХьэмкIутIей баш плъыжь гъум кIэщIым кIэщIу и ужь иту лIы плъыжь гъум кIэщI кабинетым къыщIэукIуриящ». Зи образ къызэфIэгъэувэным тхылъ напэкIуэцI зыбжанэ ихьыну мы персонажым и теплъи, и дуней еплъыкIи зы псалъэухакIэ ди пащхьэ кърилъхьэфащ Ахьмэдхъан. Зыщ жысIам щIызгъужынур: Налом и IэдакъэщIэкIхэм хуэфэщэн пщIэ нобэкIэ ягъуэтыпакъым. Ахэр щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ нэсу зэпкърыхакъым. Ауэ шэч къытесхьэркъым дэ дызыхунэмысар къытщIэхъуэ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм пщэдей зэрызэрагъэзэхуэжынум, абы и фIыгъэкIи Ахьмэдхъан и тхыгъэхэм лъэпкъ литературэм и жьантIэ дыдэр зэралъысынум. … IэубыдыпIэншэщ зэманыр. Ныбжьым хэхъуэмэ, гъащIэм хощI. ЗылI къигъэщIэн къигъэщIарэ псэ хьэлэлкIэ Хэкумрэ лъэпкъымрэ хуэлэжьауэ 2010 гъэм и гъэмахуэу Ахьмэдхъан дунейм ехыжри и нэм, и псэм хуихьу щыта Хьэтуей къуажэжьым зэгъэжыгъуэ щигъуэтыжащ. Ауэ и пкъыр щымыIэжми, и цIэр дунейм уахътыншэ щыхъуащ лIы щэджащэм. Ахьмэдхъан зэманым пхрыплъу и щхьэ тритхыхьыжами ярейт абы адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ КIуащ БетIал зэгуэрым хуигъэпсауэ щыта мы сатырхэр: «УсакIуэм къыщIэмынэIауэ, къытримынэIауэ дунейм ехыжыркъым жаIэ хабзэщ… И уэрэдыр дахэщи, гъащIэщи, цIыхум жаIэ; и цIыху щIыкIэр дахэщи, гуапэщи, ящыгъупщэркъым; цIыху лэжьыгъэм гушхуэныгъэу къаритыр, хуиту хьэуакIэ убэуэныр зэрынасыпышхуэр, дыгъэр зэрыхуабэр, жьауэр зэрыгуапэр, цIыхур зэрытелъыджэр, дунейр зэрылъапIэр — и псэм къагъэщIа усэхэм къыхенэри езыр йохыж. Ар усакIуэм щыщу дунейм къытенащ, и пкъыр щымыIэжми. Ар кIуэдыжа-тIэ?». Нобэ Ахьмэдхъан къытхэтыжкъым. Абы и кхъащхьэм щхьэщыт жыг баринэр жьы хуабэ мащIэм щIиупскIэху, и къудамэ цIыкIухэмкIэ йоубзэ лъэпкъым фIы дыдэу илъэгъуа и къуэ щэджащэм; къуажэбгъум хъущIэу щежэх Урыхупс и Iуфэм Iут унэ цIыкIуу Ахьмэдхъан и фэр зраплъри сакъыу зэрахьэ и къуэш бынхэм; тхакIуэшхуэм и цIэр фIащащ къалэ, къуажэ уэрамхэм; Ахьмэдхъан и тхылъхэр щIаджыкI ноби зэIэпахыу. Псоми ящхьэжырщи, ар ягу илъынущ зи щIалэгъуэм щIэныгъэ зыбгъэдилъхьа, IэщIагъэ зригъэгъуэту гъащIэ гъуэгу махуэ тригъэува и лъэпкъэгъуищэхэм, и хэкуэгъу минхэм: цIыхур зэралъытэр и Iэужьырщ. КЪЭМБЭЧОКЪУЭ Iэдэм, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор. Ахьмэдхъан. 1944 гъэ 101-нэ полкым хэт гуп. Нало Ахьмэдхъан ищхьэмкIэ ещанэщ. 1945 гъэ Адыгэбзэ, урысыбзэ кафедрэхэм я лэжьакIуэхэр. КъБКъУ, 1969 гъэ Зыми емыщхь СыцIыкIуу, ди анэшым сыщыIэу, зы гуахъуэ Iэчэ-лъачэ гуэр куэбжэпэм деж къыщызгъуэтат. Си адэшхуэр еплъщ гуахъуэми жиIэгъат: «Мыр Бабийщ зи гуахъуэри — фхьыи, ефтыж». Хьэблэм дэсхэр фIыуэ зыцIыху си адэшхуэм гугъущи демыхьу къищIат апхуэдэ хьэпшып зезыхьэнур хэтми. ЦIыхум и хьэпшыпыр щещхькIэ, и IэдакъэщIэкIыр емыщхьу къэнэн? Дыщэм, дыжьыным Iэщэ-фащэ къыхэзыщIыкI, джэдыгу е цей дахэ зыдыфхэм (ахэр иджы щыIэж-щымыIэжми) я гугъу умыщIыххи, сэ Iэджэрэ зэхэсхащ мыр мыпхуэдэм и бжыхь хукIэщ, мор мопхуэдэм и джыдэ лъыкIэщ жаIэу зэхагъэкIыу. НтIэ, емыкIу тхакIуэм псалъэмакъыр дауэ къригъажьэрэ, хъыбарыр дауэ иришэжьэфрэ жыпIэу укIэлъыплъыну? «Iуэхур зэрежьэщ», — жиIэгъащ адыгэм. Художественнэ текст щыхъукIэ, къыщIэдзапIэм куэдыкIей елъытащ. Ар тхакIуэм и сэламщ. Нало Ахьмэдхъан и къегъэжьэкIэм телъщ езым и нэпкъыжьэ, и цIэ темыту и тхыгъэ къыпIэрыхьэми, кърипцIыхуну: «Адыгэ унагъуэр пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэ зэрызехьэщ. КIуэ, пщэдджыжьри зыгуэрщ: цIыху жеяхэр къоушри, махуэр зи кIыхьагъым дунейм зэрытетынум зыхуагъэхьэзыр, ауэ махуэ псор мамыру езыхьэкIа цIыхухэр пщыхьэщхьэм зэрызехьэу зэрыхуежьэр нэхъ гъэщIэгъуэнщ. Пщыхьэщхьэ зэрызехьэгъуэм щыщIидзэр сыхьэткIэ къыпхуэхутэнукъым, сыту жыпIэмэ сыхьэт щамыцIыхуми пщыхьэщхьэ зэрызехьэр яхэлъауэ къыщIэкIынущи, ар къызэрыпщIэнур макъкIэщ…» («МафIэ бзий ныбжь»). Ауэ абыкIэ зэфIэкIыркъым къыщIэдзапIэм и къалэныр. КъыщIэдзапIэм и деж щыфIегъанэ сюжетым. КъыщIэдзапIэм и деж къыщожьэ абы и тхыцIакIуэ «хуэ» нэхъыщхьэр. Нало Ахьмэдхъан и тхыгъэхэми ар ядыболъагъу. «Бжьэр къэпщIащ» зыфIища рассказым гуих-псэихыу «Джэду Барэ лIащ» жери къыщIедзэ. Апхуэдэу къыщрагъажьэкIэ, нэщхъеягъуэм теухуащ мы хъыбарыр, жыпIэу уемыгупсысынкIэ Iэмал иIэкъым. Ауэ, зы псалъэуха закъуэкIэ узэрыIэпхъуэу, сыт къэхъужар: «Пщэдджыжьыр ныжэбэрей уэлбанэм и ужькIэ уэфI зэрыхъуам къигъэгуфIауэ, псэ зыIутыр хуэгуфIэрт: Джэдухэ я гузэвэгъуэр къафIэIуэхуу узыхагъэгъуазэртэкъым пщIантIэм щыпэкIу джэдкъазым, цIыхухэм гуэщымрэ бжэIупэмрэ Iуахуа нэужь, унащхьэмрэ жыг щхьэкIэмрэ щтапIэ зыщIыжауэ абы гъащIэм щыдэпIэстхъей къуалэбзуми, и фIэщу щыгъуэ лIым едзакъэурэ къыхэзыгъэщт гъудэбадзэми». Абы ухуегъэхьэзыр рассказыр зытеухуам. КъызэрыщIэкIымкIэ, Джэду Барэ и лIэныгъэр щхьэусыгъуэ хъуа къудейщ. Мыр зытеухуар нэгъуэщIщ. Араи бжьэ къэпщIам и хъыбарыр къызэрылъэIэсу, зи адэ лIа цIыхум и щытыкIэми хэпщIыкIыу зэхъуэкIыныгъэ щIигъуэтыр. Хьэуэ, ар къуэ хуэмыхукъым, щыгъуэкIэ имыщIэу армууи щыткъым. Iуэхур зытетыр нэгъуэщIщ — тхакIуэм мыбдеж къыщищтэ Iуэхугъуэр нэгъуэщIщи: «зыр лIэ щхьэкIэ зым зилIэжрэ» жыхуиIэм ещхьу, гуауэ къэхъуар гу лъамытэурэ бжьэ къэпщIам лъэныкъуэкIэ зэрыригъэкIуэтэкIар уегъэлъагъу тхакIуэм, а зы щапхъэ «жьгъей цIыкIумкIи», сыт хуэдэу щымытами, гъащIэр лIэныгъэм и гущIыIу зэрыхъум урегъэгупсысыф. КЪЭЖЭР Хьэмид, усакIуэ, критик. Пэжым и къарур Нало Ахьмэдхъан и «Лъагъуэхэмрэ гъуэгухэмрэ» тхылъыр и гъащIэм, литературэм щикIуа гъуэгум тепсэлъыхь тхыгъэкъым, ауэ тхакIуэм и гъащIэ гъуэгуанэм и жьауэ тримыдзауэ щыткъым. Советыдзэр илъэс щэ ныкъуэ зэрырикъуам теухуа «Лъагъуэхэр, гъуэгухэр» рассказырщ тхылъым купщIэ хуэхъуар. Iэщэ иIыгъыу Хэку зауэшхуэм хэта Налом зауэлIыр зэрыбэшэчыр лIыхъужь хьэлэмэтхэмкIэ наIуэ къытщещI. Пэжыр жыпIэным лIыгъэ хэлъщ. Зауэм и пэжыр щIиуфэркъым Налом. Зауэм и теплъэр, и сурэтыр, къииныгъэу абы хэлъыр псалъэ мащIэ зэщIэкъуахэмкIэ уи нэгу къыщIегъэувэ. КъыщIигъэувэм и мызакъуэу, зэхыдох, зыхыдощIэ. Ахьмэдхъан мыпхуэдэу етх: «ТхьэмахуэкIэ зэхэуа нэужь, ди дзэр ежьащ, бийр йокIуэт: хуэму ежьэри, жэкIэ щIэпхъуэжащ, лагъым къызэринэкIыурэ мажэ, къаухъуреихьыным щошынэ. Ди дзэри кIэлъокIуэ, кIэлъожэ, лъэщIыхьэркъым, цIыхур ешащ. Псом япэ саперхэр итщ. Сэлэтыр ешащ, ауэ макIуэ, сэлэтыр жей щхьэкIэ малIэ, ауэ макIуэ, сэлэтыр пIыщIауэ мэкIэзыз, ауэ макIуэ, сэлэтыр мэмэжалIэ, ауэ макIуэ, сэлэтыр мэшынэ, ауэ макIуэ. Жэщщ, кIыфIщ, щIыIэщ, ешащ, ауэ кIуэн хуейщи, сэлэтыр макIуэ. МакIуэ, макIуэ, макIуэ…». ГъэщIэгъуэнщ «И цIэр къэнащ» рассказыр. Сымаджэ хьэлъэу пIэм къыхэна Екъуб лIыжьым пщIыхьэпIэу и нэгу щIокIыж илъэс плIыщIрэ пщIырэ и пэкIэ зыхэта граждан зауэр, гъаблэр. Мыбы къыщыгъэлъэгъуащ Екъуб и къуэ Данил зауэм хэкIуэдам и къекIуэкIыкIар, абы и бын къыщIэнам, Екъуб зыфIащам, и хэку къызэригъэзэжар, и адэшхуэмрэ и анэшхуэмрэ я пащхьэ къызэрихьэжар. Мы рассказым Iуэхугъуэ куэд щокIуэкI, мыхьэнэшхуэ зиIэ гупсысэ къыщыIуэтащ: лъэпкъым пыIэ зыщхьэрыгъ къызэринар Екъуб нэхъыжьым дежкIэ гуфIэгъуэшхуэщ. Уафэ къащхъуэр щы-мыджэмыпцIэу, щIылъэ щхъуантIэр щызэпцIагъащIэу гъащIэр къыщигъэщIам ажалри дунейм къытехьащ. Абы лъандэрэ а тIур зэрылъагъу хъуркъым. А хабзэу щIылъэм щыувам гъащIэм бжьыпэр зэрыщиIыгъыр хьэкъ щохъу Налом. Аращ абы и тхыгъэхэм хэт лIыхъужьхэр гъащIэм и телъхьэу щIыщытыр, гуфIэгъуэм и шэсыпIэу щIэувыр. Дызытепсэлъыхьа тхыгъэхэм нэмыщI, тхылъым итщ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуа «Къуажэм дыгъужь къыдыхьащ», «Пщыхьэщхьэ уэрэд», «СурэтитI», «ЩIэныгъэ», «Хэт захуэр?» рассказхэр. А псори зэпкърытхынкъым, ауэ иужьрей рассказым и гугъу дымыщIу дыблэкIыфыркъым. «Хэт захуэр?» новеллэ цIыкIум гупсысэшхуэ къеIуатэ. Зытеухуар тхьэрыкъуэщ. ТхакIуэр набдзэгубдзаплъэу гъащIэм зэреплъым и нэщэнэ куэд хэлъщ мыбы. Философие ин щIелъхьэ абы «тхьэрыкъуэ бынунагъуитIым» я Iуэху къызэрекIуэкIам. Къызыщывгъэхъут ар зытепсэлъыхьыр мытхьэрыкъуэу — цIыхуу. ИтIанэ гурыIуэгъуэ мэхъу тхылъыр философие инкIэ зэрыпсыхьар. Нало Ахьмэдхъан и тхылъ «Лъагъуэхэмрэ гъуэгухэмрэ» ит тхыгъэхэм пэжыр я гъуазэщ. Ахэр гъэнщIащ цIыхум хуиIэ гу пцIанагъэкIэ, хьэлэлыгъэкIэ, лъагъуныгъэ къабзэкIэ. Тхылъым ихуа рассказхэр къызэрызэкIуэцIыкIым ущеплъкIэ, ар зи Iэдакъэ къыщIэкIам кIуэцIылъ дунейр зэрыабрагъуэм, иджыри куэд къызэриIуэтэнум шэч къытумыхьэжу уещI. Налом мы тхылъымкIэ иджыри зэ ди фIэщ ищIащ ар зыхуэкIуэ Iуащхьэ щыгум дэзышын зэфIэкI иджыри зэрыкъуэлъым. КIУРАШЫН БетIал, критик, литературэхутэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100376.txt" }
Упсэу, Токио! Париж къытпоплъэ Бадзэуэгъуэм и 23 — шыщхьэуIум и 8 махуэхэм Токио щекIуэкIа XXXII Гъэмахуэ Олимп джэгухэр Iэтауэ вэсэмахуэ зэхуащIыжащ. Урысейм икIа спортсменхэм абы дыщэ медалу 20, дыжьыну — 28-рэ, домбеякъыу — 23-рэ къыщахьащ. Японием щыIа Олимпиадэр адрейхэм зыкIи зэремыщхьар, дауи, гурыIуэгъуэщ. Ар илъэскIэ ягъэIэпхъуам и закъуэкъым, атIэ стадионхэм цIыхухэр щIагъуэу зэрырамыгъэхьами нэгъуэщI къэралхэм къикIахэр я нэкIэ зэхьэзэхуэм зэремыплъыфами фаджэ ищIащ. Апхуэдэу щыт пэтми, японхэм фIыщIэ ин къалэжь апхуэдиз цIыху къызрихьэлIа дунейпсо зэпеуэ иныр екIурэ-ещхьу зэрырагъэкIуэкIам папщIэ. НэгъуэщI лъэпкъ щыIэу фIэщщIыгъуейщ абыхэм хуэдэу зэрыIыгърэ жыIэдаIуэрэ. Хьэлэмэтращи, XXXII Гъэмахуэ Олимп джэгухэм щагуэша медаль псори къыхащIыкIащ къамыгъэсэбэпыж электрон техникэ зэмылIэужьыгъуэу а къэралым щызэхуахьэсахэм. Дыщэ къудейуэ абыхэм къыхагъэкъэбзыкIащ килограмм 37-рэ! Урысейм и олимп комитетым (аращ ди къэралым икIахэм зэреджар) и гуп къыхэхам хэтхэм зэхьэзэхуэм щаубыдар етхуанэ увыпIэращ. Иужь илъэсищэм ар нэхъыкIэ дыдэщ. Я мурадащ нэхъыфIищым яхыхьэну, арщхьэкIэ къайхъулIакъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Токио щызэхэта XXXII Гъэмахуэ Олимп джэгухэм дэрэжэгъуэ ин къыдатащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Японием адыгэхэр къыщыхэжаныкIакъым. Бразилием уей-уей щыжезыгъэIа Мудрэн Беслъэнрэ Джэду Iэниуаррэ я зэфIэкI лъагэм къыпызыщэн къытхэкIакъым. Дыкъыдэзыхыжар Прохладнэ щыщ ди лъахэгъу цIэрыIуэ Ласицкене (Кучинэ) Марие и закъуэщ. Олимпиадэм и иужь махуищым куэд къызэщIаубыдащ — абыхэм хэтащ ехъулIэныгъэ инхэри къыдэмыхъулIа гугъапIэхэри. Садулаевым къищынэмыщIауэ, бэнэкIэ хуитымкIэ чемпион хъуащ ди гъунэгъу Осетие Ищхъэрэ — Аланием щыщ Сидаков Заурбэч. Зэдэууэ псым есынкIи ди цIыхубзхэм къапэлъэщын къахэкIакъым икIи Ромашинэ Светланэ ебланэ дыщэ медалыр Олимп джэгухэм къыщихьащ. НэхъыбэкIэ дащыгугъат волейболымрэ гандболымкIэ ди командэ къыхэхахэм — абыхэм кIэух зэIущIэхэр ирагъэхьащ. Художественнэ гимнастикэм илъэс тIощIым щIигъуауэ щытепщэ ди хъыджэбзхэм япэ ирагъэщащ нэгъуэщIхэр. Сытми, Урысейм и олимп комитетым и командэм хэтхэм Токио медаль 71-рэ къыщахьащ. АбыкIэ дяпэ ищар США-мрэ Китаймрэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, дыщэкIэ дакъыпикIуэтащ зи цIэ къитIуахэм къищынэмыщIауэ, хэгъэрейхэмрэ инджылызхэмри. Аращи, зэлэжьыпхъэхэр мащIэкъым, зэманыр къебзыхьэкIащ; Пекин щыIэну ЩIымахуэ Олимп джэгухэм щIадзэным илъэс ныкъуэ иIэжу аращ. 2024 гъэм Париж къытпоплъэ. Абы ирихьэлIэу допинг Iуэхуми кIэ игъуэтыну дыщогугъ икIи Урысей Федерацэр абы хэтын хуейщ и спортсменхэм зыщыщ къэралыр ямыбзыщIу, текIуа иужькIэ я гимныр кърагъэуэну, ныпыр ягъэлъэгъуэну хуиту. Америкэм и Штат Зэгуэтхэмрэ Китаймрэ я спортсменхэм зэхьэзэхуэр иухыхукIэ я зэпэщIэтыныгъэр къэтIэсхъакъым. Зы дыщэ медалкIэ япэ ищри, официальнэу щымыт гуп зэпеуэм бжьыпэр щаубыдащ США-м къикIахэм. Ещанэ увыпIэр зыIэрыхьа японхэр абыхэм зыкъомкIэ къакIэрыхуащ. Къаудыгъу Заур.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100385.txt" }
КъалэкIыхьым къыщыхъуа дунейпсо гъэфIэным и гуфIэгъуэ нэпсхэр Дуней псом тхуэнейрэ и чемпион (тIур щхьэ зытелъ стадионхэм къыщихьащ), Европэм щэнейрэ щытекIуа, Континентхэм я кубокыр тIэунейрэ зыIэрыхьа, НыбжьыщIэхэм я Гъэмахуэ Олимп джэгухэм и дыщэ медалыр къэзыхьа, «Налкъутналмэс лигэм» щэнейрэ щынэхъыфIа, нэгъуэщI лъагапIэ куэди къызэхъулIа, спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Ласицкене (Кучинэ) Марие дэтхэнэ спортсменми и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр — олимп чемпионыгъэр — Японием и къалащхьэ Токио щэбэт кIуам къыщехъулIащ. XXXII Гъэмахуэ Олимп джэгухэр иухыным зы махуэ фIэкIа имыIэжу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу зэрыкъэралу зыпэплъа дэрэжэгъуэр къэхъуащ. Лъагэу дэлъеинымкIэ цIыхубзхэм я зэпеуэм хэтыну утыку къихьащ ди щIыналъэм къыщалъхуауэ а спорт лIэужьыгъуэм Прохладнэм (КъалэкIыхьым) зыщезыгъэса Ласицкене Марие. Зэхьэзэхуэм щIадзэри, занщIэу наIуэ хъуащ ди лъахэгъур абы фIы дыдэу зэрыхуэхьэзырыр. ЛъагапIэхэр Марие къищтэрт япэ бгъэдыхьэгъуэкIэ. Адрейхэр тIэу-щэ елIалIэрт. ЛъагапIэр метри 2-рэ сантиметри 2-м щытрагъэувам наIуэ дыдэт дыщэр Ласицкене зэрыIэщIэмыкIынур. Зэрихабзэу, ар абы къищтащ япэ бгъэдыхьэгъуэм. Австралием щыщ Макдермотт Николэрэ Украинэм икIа Могучих Ярославэрэ етIуанэ, ещанэ Iэмалхэр къагъэсэбэпащ. АдэкIэ метри 2-рэ сантиметри 4-р къапэплъэрт. Марие зричри, зиIэтащ. И Iэпкълъэпкъыр лъагапIэм щхьэпрыкIауэ къыщехуэхыжым, лъэдакъэр мащIэу жьэхэуэри, зэпрылъыпIэр къриудыхащ. И хьэрхуэрэгъухэм ари яхузэфIэкIакъым. ЕтIуанэ бгъэдыхьэгъуэм Ласицкене и дыщэ медалыр щIигъэбыдэжащ. КъыпфIэщIынут ар нэхъ лъагэжми елъэфыну. АрщхьэкIэ Макдермотти Могучихи зэхьэзэхуэм хэкIати, и закъуэт къэнэжар. Рекорд гъэувыныр адрей зэпеуэ инхэм къахуигъэнащ. Олимп чемпион зэрыхъуам теухуа хъыбарым Ласицкене Марие гуфIэгъуэ нэпскIэ IущIащ. Ар абы гугъуу икIи кIыхьу хуэкIуат. Олимп джэгухэм зэрыхэтынур къыщищIа мы илъэсым и пэщIэдзэм фэбжь игъуэтри, хуабжьу дигъэгузэват. АрщхьэкIэ и тренер гъуэзэджэ Габрилян и фIыгъэкIэ зэхьэзэхуэм и къару псомкIи хузэщIэгъэрыуIуауэ ирихьэлIащ. Олимп чемпионыгъэр абы кърикIуащ, псори дрипагэрэ дригушхуэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа икIи зыщызыгъэса Кучинэр зи хъыджэбз унэцIэ Марие иджы дэни щагъафIэ спортсменкэ лъэрызехьэщ, ЩIы хъурейм къыщыпэлъэщын куэд щIауэ темыту. 1993 гъэм и пэщIэдзэм и ныбжьыр илъэсипщI хъуа къудейуэ арат Прохладнэ дэт курыт еджапIэхэм ящыщ зым физкультурэмкIэ и егъэджакIуэу лажьэ Габрилян Геннадий и нэIэм щыщIэхуам. Сабийхэм ядригъэкIуэкI урокхэм абы псынщIэу гу щылъитащ адрейхэм и инагъкIи, зэфIэкIкIи къахэщ хъыджэбз псыгъуэ цIыкIум. КъыщызэдэжэкIи, лъагэу щыдэлъейкIи, нэгъуэщI дерсхэмкIи ар псоми фIыкIэ къахэщырт. Нэрылъагъут Марие спорт зэфIэкI лъагэ къызэрыкъуэкIыфынур. Абы папщIэ ерыщу дэлэжьэн хуейт. А Iуэхугъуэ мытыншыр и пщэ дилъхьэжащ физкультурэмкIэ егъэджакIуэ къызэрыгуэкI Габрилян Геннадий икIи, зэман дэкIри, щыгуфIыкIыжащ: тренерми абы и гъэсэнми дунейпсо цIэрыIуагъ ягъуэтащ. А тIум я зэдэлэжьэныгъэр зэрызэпыуар зэ закъуэщ — курыт еджапIэр къиуха иужькIэ, Марие щIэтIысхьащ Волгоград дэт Физическэ щэнхабзэмкIэ къэрал академием икIи Горьков Борис и унафэм щIэту илъэситIкIэ зигъэсащ. ИтIанэ Кучинэм Габрилян и деж къигъэзэжри, къэралпсо утыкум тепщэныгъэр псынщIэу щиубыдащ. АдэкIэ дунейпсо гъэфIэныгъэми куэдрэ зыпигъэплъакъым. Абы лъабжьэ быдэ хуэхъуауэ къалъытэ тренерымрэ гъэсэнымрэ адэмрэ пхъумрэ зэрызэхущытым хуэдэу зэрызэбгъэдэтымрэ зэхьэзэхуэхэм зыщыхуагъэхьэ-зыркIэ спортсменкэм къытехьэлъэн лъэпкъ Iуэхум зэрыхамыгъэхьэмрэ. Адрейхэм хьэлъэ къыщралъэфэкIкIэ, мэхыхукIэ къыщажыхькIэ Марие зэпеуэм зыкъыщигъэлъагъуэ хуэдэу зегъасэ икIи и гупсысэр зытеухуар абы къыщигъэсэбэпыну Iэмалхэращ, атIэ лъэщагъыракъым. Кучинэ Марие япэ ехъулIэныгъэ иныр щызыIэригъэхьащ Италием и Брессаноне щIыпIэм 2009 гъэм щекIуэкIа НыбжьыщIэхэм я дунейпсо чемпионатым. Метр 1,85-рэ зи лъагагъым щхьэпрыпкIри, абы дыжьын медалыр къыхуагъэфэщащ. А илъэс дыдэм етIуанэ увыпIэр щиубыдащ Тампере (Финляндие) щыIа НыбжьыщIэхэм я европей Олимп фестивалым. Дыжьыным дыщэри мыгувэу къыкIэлъыкIуащ. 2010 гъэм Сингапурым щызэхэта НыбжьыщIэхэм я япэ гъэмахуэ Олимп джэгухэм метр 1,89-р къыщызэринэкIри, текIуэныгъэр къыщихьащ. АдэкIэ ди лъахэгъу хъыджэбзым зэхьэзэхуэ инхэм я бжэ псори къыхузэIуахащ. Ар абыхэм увыIэгъуэ имыIэу хэтщ икIи текIуэныгъэшхуэхэмкIэ дэрэжэгъуэ къыдет. Псом хуэмыдэу Кучинэ Марие хуэфIащ 2014 гъэр. ЩIышылэм (январым) и 16-м Челябинск щекIуэкIа Лукашевичрэ Середкинымрэ я мемориалым япэ дыдэу метритI лъагагъыр къыщызэринэкIащ. Тхьэмахуищ дэкIри, абыи щхьэпрыкIыжащ, XL Galan зэхьэзэхуэм щытекIуэри. АрщхьэкIэ а гъэм и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэр къыщыпэплъэр Польшэрат. Сопот къалэм щызэхэта щхьэ зытелъ стадионхэм щрагъэкIуэкI дунейпсо чемпионатым дыщэ медалыр къыщихьащ, хэгъэрейхэм ящыщ Лицвинкэ Камилэ япэ увыпIэр дигуэшри. КъищынэмыщIауэ, Кучинэ Марие щытекIуащ «Налкъутналмэс лигэм» щыщ Iыхьэу Парижрэ Цюрихрэ щызэхэта зэпеуэхэм икIи а зэхьэзэхуэ иным бжьыпэр щиубыдащ. Абдежми къыщыувыIакъым. Прохладнэдэс пщащэр Европэм и командэ къыхэхам хуабжьу сэбэп хуэхъуащ Континентхэм я кубокыр атлетикэ псынщIэмкIэ къэхьынымкIэ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Китайм дунейпсо чемпион нэс щыхъуащ. Зи щхьэр теха стадионым (апхуэдэ зэхьэзэхуэхэр щхьэхуэу къалъытэ) щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм метри 2,1-мрэ щыщхьэпрыкIри, дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. 2016 гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 1-м къыщыщIэдзауэ 2018 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 30 пщIондэ Кучинэ Марие и зы хьэрхуэрэгъуи дуней псом къыщыдигъэплъакъым. А илъэситIым къриубыдэу ар зыхэта зэхьэзэхуэ 45-ми (!) ди лъахэгъур щытекIуащ. Абыхэм хеубыдэ дунейпсо чемпионатхэри, Европэм и зэхьэзэхуэри, Континентхэм я кубокри, нэгъуэщI куэди. А псоми я дыщэ медалхэр Марие къыхуагъэфэщащ икIи Урысей Федерацэм атлетикэ псынщIэмкIэ и спортсменкэ нэхъыфIу къалъытащ. 2017 гъэм ди лъахэгъур лIы дэкIуащ. «Евроспорт» телеканалым и комментатор, урысей спорт журналист Ласицкас Владас ар щхьэгъусэ ищIащ икIи абы и унэцIэр къищтэри, Марие Ласицкене хъуащ (цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я унэцIэм я кIэухыр Латвием щызэщхьэщокI). МетритI лъагагъыр Ласицкене зыкъом щIауэ къыфIэмыIуэхуж хъуащ. Зэхьэзэхуэхэм зэрыхэтрэ ар абы 80-м щIигъурэ (!) щхьэпрыкIащ. Апхуэдэ зыхузэфIэкIа нэгъуэщI спортсмен цIыхубз ЩIы хъурейм теткъым. Чехием и Остравэ къалэм щызэхэта зи чэзу дунейпсо зэпеуэм, цIыху мин 12-м щIигъу къыщыкIэлъыплъу, ди лъахэгъу цIэрыIуэм метри 2-рэ сантиметри 6-рэ зи лъагагъыр къигъэIурыщIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Европэми дуней псоми я чемпион цIэр зезыхьэ прохладнэдэс бзылъхугъэм къыдэщIхэм аргуэру дэрэжэгъуэ ин яритащ. Ар а гъэм зыри зыпэмылъэща лъагагъщ. Марие дунейпсо рекордми Чехием щебгъэрыкIуат, арщхьэкIэ метри 2-рэ сантиметри 10-р зэкIэ къехъулIакъым. Ласицкене (Кучинэ) Марие атлетикэ псынщIэмкIэ тхыдэм мыгувэу хыхьэфынущ. Илъэс 20-м щIигъуауэ зыми хуэмыкъутэ дунейпсо рекордым ар пэгъунэгъу дыдэ хъуащ. Болгарием щыщ Костадиновэ Стефкэ абы щыгъуэм къызэринэкIа метритIымрэ сантиметрипщIымрэ нэсын папщIэ прохладнэщылъхум сантиметриплI иIэжу аращ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Ласицкене а Iуэхугъуэ дахэр куэд дэмыкIыу къехъулIэнущ. ИкIи а гугъэр лъабжьэншэкъым. Иужь зэманым Ласицкене Марие и ехъулIэныгъэхэр телъыджэщ. 2015 гъэм Пекин щызэхэта дунейпсо зэпеуэм зэрыщытекIуэрэ блэкIа илъэсихым абы бжьыпэр щимыубыда зэхьэзэхуэ къэщIэжыгъуейщ. Зым и дежкIи щэхукъым — рекордхэр бгъэувын папщIэ абыхэм уесэн, ерыщу уебгъэрыкIуэн хуейщ. Марие аращ иджыпсту ищIэр. Ласицкене Марие сыт щыгъуи текIуэу щытауэ къыпщохъу. АрщхьэкIэ абы и ныбжьыр илъэс 28-рэ хъууэ аращ икIи дяпэкIэщ и ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэхэр щыщыIэну хуагъэфащэр. Апхуэдэу езым къилъытэр Гъэмахуэ Олимп джэгухэм я дыщэ медалырати, къехъулIащ. 2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ щыIам Дунейпсо Олимп Комитетымрэ ИААФ-мрэ (атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо федерацэ) ягъэкIуакъым, ди къэралым и допинг Iуэхухэм я гуащIэгъуэти. Абыи чемпион щыхъуфынут. Дэтхэнэ зы спортсменым и дежкIи Олимп джэгухэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абы щытекIуэм и пщIэр и гъащIэ псокIэ Iэта зэрыхъум къищынэмыщIауэ, и псэукIэм и зэIузэпэщынагъри куэдкIэ елъытащ. Аращи, Ласицкене Мариерэ и тренер Габрилян Геннадийрэ я IутIыжыгъуэщ. ИужькIэ сытри къэхъуфынущ. Къапщтэмэ, Марие щIохъуэпс сабий иIэну. Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» медалым и етIуанэ нагъыщэр, «Дзэм къыщигъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ» медалыр, УФ-м и Президентым и фIыщIэр зыхуагъэфэща, Къэбэрдей-Балъкъэрым физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ласицкене Марие къыщалъхуа, япэ ехъулIэныгъэхэр щызригъэгъуэта республикэр зэи зыщигъэгъупщэркъым. Зэхьэзэхуэ зэхуаку лъэхъэнэхэм ар ди щIыналъэм къопIэщIэж, и Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, гъунэгъухэр, къыдэщIхэр зригъэлъагъуну, и дэрэжэгъуэхэмкIэ абыхэм ядэгуэшэну. Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым Токио щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ иным иужькIэ ди лъахэгъум къритхащ: «ФIыщIэ мыухыж яхузощI си тренер Габрилян Геннадий, си щхьэгъусэ Владас, Прохладнэ дэт спорт школым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, ЦСКА-м, Мэзкуу областым, адрей куэдми сыт щыгъуи зыкъызэрысщIагъэкъуам папщIэ. Ахэр щымыIамэ, зыри къызэхъулIэнутэкъым». КЪаудыгъу Заур.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100391.txt" }
Республикэр уэркIэ мэгушхуэ! Олимп чемпионкэ Ласицкене Марие хуэгъэза хъуэхъу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым щехъуэхъуащ Олимп джэгухэм я чемпионкэ хъуа Ласицкене Марие. «Си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу пщIэ зыхуэтщI ди Марие и текIуэныгъэмкIэ! Сохъуэхъу Прохладнэ къалэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысейм щыпсэу псоми! А текIуэныгъэм хуэзыша гъуэгуанэр икъукIэ кIыхьу икIи гугъуу щытащ, ауэ Машэ лъэпощхьэпо псоми пэлъэщащ! Республикэр уэркIэ мэгушхуэ!» — итхащ КIуэкIуэ Казбек. Чемпионкэ зэрагъэсам папщIэ КIуэкIуэ Казбек апхуэдэу ехъуэхъуащ Марие и адэ-анэми.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100394.txt" }
Прохладнэдэсхэр япэ ирегъэщри, Амир Налшык къегъэзэж Элиста щыIэу абы и «Ураланыр» хигъащIэри Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм футболымкIэ я чемпионатым (УФ-м и ещанэ дивизионым) пашэныгъэр щиубыдыжащ Прохладнэ и Энергетик»-м. Ар куэдкIэ и фIыгъэщ а зэIущIэм я хьэрхуэрэгъухэм топитI щахудигъэкIыу ди щIалэхэр тезыгъэкIуа Бажэ Амир. Бэрэжьей кIуам гъуащхьауэ цIэрыIуэр «Спартак-Налшыкым» хагъэхьэжащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр абы хэту адэкIи ихъумэнущ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Иорданием и командэ нэхъ лъэщхэм ящыщ «Аль-Ахьли»-м илъэскIэ щыджэгуауэ къигъэзэжащ ди гупым и капитану хэкIа гъуащхьауэ Iэзэм. «Энергетик»-р йобгъэрыкIуэ Бажэ Амир Бажэ Амир топджэгум дихьэххэм фIы дыдэу яцIыху. Щалъхуа икIи футболым япэ лъэбакъуэхэр щыхича Арщыдан къуажэм щригъажьэри, ар Мэзкуу и «Спартак»-м, Белгород и «Салют»-м, Воронеж и Факел»-м, Пензэ и «Зенит»-м, Владивосток и «Луч-Энергия»-м щыджэгуащ икIи дэтхэнэ зыми лъэужь дахэ къыщигъэнащ. Аруан щIыналъэм хыхьэ Арщыдан къуажэм Бажэ Амир 1988 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 15-м къыщалъхуащ. Пасэу топ джэгун щыщIидзащ а щIыпIэм и «Бедик» командэм. Япэ тренеру иIар а Iуэхур фIыуэ зылъагъу икIи куууэ хэзыщIыкI и адэ Бажэ Хьэутийщ. И адэ къуэш Дотии къуажэми республикэми хуабжьу щыцIэрыIуэ футболистт. И ныбжьыр илъэс пщыкIутI хъуа къудейуэ, 2001 гъэм, Амир къэралым и къалащхьэм къыщыхутащ. Мэзкуу и «Спартак»-м и футбол школым зыщызыгъэсэну сабий гуп къащтэрти, и адэ къуэш Бажэ Дотий абы къыщригъэплъыну ишащ. Кавказым щыщ Iэбыдэлъэбыдэ щIалэ цIыкIур занщIэу ягу ирихьащ икIи къащтащ. Бажэ Амир Мэзкуу и «Спартак»-м и щIалэгъуалэ гупым хагъэхьащ и ныбжьыр илъэс пщыкIух иджыри иримыкъуауэ. Абы и капитану мызэ-мытIэу къэралым и чемпион хъуащ икIи топ куэд я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ, гъуащхьауэ щIалэщIэхэм я зэпеуэм щытекIуэу. КъищынэмыщIауэ, ираджащ зи ныбжьыр илъэс пщыкIубл иримыкъуахэр зыхэт Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам. Апхуэдизу лъэщу абыи хэзэгъати, зэIущIи 8-м топи 6 щыдигъэкIат. Дауи, IэщIагъэлIхэми тренерхэми гу къылъатащ икIи хуабжьу набдзэгубдзаплъэу къыкIэлъыплъу хуежьащ. Амир зэфIэкI псори иIэт къэралым и футболист нэхъыфIхэм ящыщ зы къыхэкIыну. АрщхьэкIэ спортым и хабзэ ткIийхэм ящыщщ, ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ къахэкIыу цIыхур балигъхэм щахыхьэр. ЗакъуэтIакъуэщ ар тэмэму къызэхъулIэр. МылъкукIэ и Iуэхухэр зэIыхьэу «Спартак-Налшыкым» премьер-лигэри къыкIэлъыкIуэу япэ дивизионри ибгына иужькIэщ Бажэ Амир Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм къыщрагъэблэгъэжар. ЗанщIэуи ар гупым и пашэ хъуащ. 2014 гъэм щыщIэдзауэ Амир командэм и капитану щытащ икIи абы лъандэрэ зэIущIэ 98-рэ налшыкдэсхэм яхэту иригъэкIуэкIащ. Арщыдан щIалэм абыхэм топ 20 я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIащ. Бажэ Амир и хъыбарыфI щыIуар Хэкужьым и закъуэкъым. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри абы и зэфIэкI лъагэм щыгъуазэу къыщIэкIащ икIи 2019 гъэм Иорданием и командэ нэхъ лъэщхэм ящыщ «Аль-Ахьли»-м яшащ. Иджы «Спартак-Налшыкым» къигъэзэжащ, иужь лъэхъэнэм абы уэру къыхыхьа ди щIыпIэм къыщалъхуа икIи зыщызыгъэса щIалэгъуалэм и зэфIэкIымрэ IэзагъымкIэ ядэгуэшэн, ахэр тригъэгушхуэу футболым и гъуэгу бгъуфIэм тригъэувэн папщIэ. — СогуфIэ «Спартак-Налшыкым» сыкъызэрыхыхьэжам папщIэ, — къыджиIащ Амир. — НэгъуэщI щIыпIэхэми сыкъыщыщIидзыфынут, арщхьэкIэ уи унэжь хуэдэ щыIэкъым. Си къару псори есхьэлIэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр къэралпсо утыкум нэхъри щыIэта хъун папщIэ. Ди гуапэщ Бажэ Амир къызэригъэзэжар. И къарумрэ зэфIэкIымрэ нэсу зэфIигъэувэжын папщIэ мы илъэсым и пэщIэдзэм ар Прохладнэ и «Энергетик»-м хыхьат икIи Урысей Федерацэм и ещанэ дивизионым щыпашэ хъунымкIэ хуабжьу къахуэсэбэпащ, мыхьэнэшхуэ зиIэ топ зыбжанэ и хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIри. Иджы ардыдэр «Спартак-Налшыкым» къыщыпоплъэ. Мы илъэсым и пэщIэдзэм хыхьэу Бажэр зи пашэ хъуа Прохладнэ и «Энергетик»-м Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм футболымкIэ я чемпионатым фIы дыдэу зыкъыщегъэлъагъуэ. ШыщхьэуIум и 4-м Элиста щызэхэта иужь зэIущIэм абы и дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт пашэныгъэр къыдэзыгуэш Нэзрэн и «Ангушт»-м щхьэщыкIын папщIэ. Ар хуабжьу жыджэру ди щIалэхэм ирагъэжьащ икIи джэгум и япэ Iыхьэм Бажэ Амир тIэунейрэ зэкIэлъхьэужьу (28-нэ, 35-нэ дакъикъэхэм) хэгъэрейхэм топхэр щахудигъэкIам прохладнэдэсхэм текIуэныгъэр зэраIэрылъхьэр наIуэ хъуащ. Апажэ Ислъам ар щIигъэбыдэжри, «Энергетик»-р 3:2-уэ «Уралан»-м Элиста щытекIуащ. А махуэм дыдэм «Динамо-Дагестан»-м Мэхъэчкъалэ щыдэджэгуа «Ангушт»-м очкоитI фIэкIуэдащ, зэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ, 0:0-у, иухри. Абы и фIыгъэкIэ «Энергетик»-м и закъуэу бжьыпэр иубыдыжащ. Пэжщ, нэзрэндэсхэм зы зэIущIэкIэ нэхъ мащIэ ирагъэкIуэкIащ икIи ди щIалэхэм къалэщIыхьэжыну иджыри Iэмал яIэщ. Гъуащхьауэхэм я зэпеуэм зэхъуэкIыныгъэ гуэри къыщыхъуакъым. БлэкIа джэгугъуэм къыщыхэжаныкIакъым абы бжьыпэр щызэдэзыIыгъ Иуан Азрэтрэ «Ангушт»-м и пашэ Алиев Бэчхъанрэ. Абыхэм я хьэрхуэрэгъухэм топ бгъу-рыбгъу зэрыхудагъэкIауэ къэнэжащ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100396.txt" }
Кавказыр зэщIагъэхьэнущ Пономаренкэ Г. Ф. и цIэр зезыхьэ Краснодар филармонием фокIадэм и 21-м щекIуэкIынущ Ленинград щIыналъэм и къэрал симфоние оркестрым и концертышхуэ. «Черкесский альбом» зыфIаща пшыхьыр «Симфония Кавказа» гастроль турым щыщ зы Iыхьэщ. Абы щыIунущ IуэрыIуатэр зи лъабжьэ макъамэхэр, Мосолов Александр, Ряузов Сергей, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Къэбэрдокъуэ Мурат сымэ я IэдакъэщIэкIхэр. Краснодардэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ я пащхьэ гъуазджэ нэс къизыхьэну симфоние оркестрым и художественнэ унафэщIыр икIи и дирижёр нэхъыщхьэр Санкт-Петербург щыщ маэстрэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Голиков Михаилщ. Апхуэдэу абы хэтынущ ди республикэм щIыхь зиIэ и артист, «Голос-8» зэхьэзэхуэм щытекIуа Бэрбэч Аскэр, Адыгей Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ, Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я Санкт-Петербург къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэ пажэ Чэныб Нэфсэт, композитор, пианист цIэрыIуэ, композиторхэм я «Партитура» урысей зэхьэзэхуэ иным и «Киномузыка» унэтIыныгъэм щытекIуа, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист Къэбэрдокъуэ Мурат сымэ. Зи гуащIэр ди къэралым къыщалъытэ классикэ гуп нэхъыфIхэм ящыщ, урыс лъэпкъ гъуазджэм и хабзэхэр хуэсакъыпэу зыхъумэ симфоние оркестрым мызыгъуэгукIэ утыку кърихьэнущ ди лъэпкъ цIыхубэ макъамэр езым зэрилъагъу щIыкIэр. Адыгэхэм я IуэрыIуатэ лъэпкъ макъамэм куэд щIауэ увыпIэшхуэ щеубыд оркестрым и творчествэм. Голиков Михаил зэрыжиIэмкIэ, ар фIэгъэщIэгъуэн хъуащ «Симфония Кавказа» Iуэхум япэу щыхэта лъандэрэ. Аращ абы, композитор щIалэхэр и гъусэу, партитурэхэр зэхуихьэсыжыным, зэфIэгъэувэжыным лэжьыгъэшхуэ щIрихьэлIар. А Iуэхугъуэм и фIыгъэкIэ «Симфония Кавказа» проектым и лэжьыгъэм къыпещэ, адыгэ лъэпкъ гупсысэр зи лъабжьэ макъамэхэм дунейпсо щэнхабзэм и гъунапкъэщIэхэр къызэIуахыуи къелъытэ. Щэнхабзэ мыхьэнэ ин зиIэ зэхыхьэр оркестрым къызэригъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн хъуащ Ленинград щIыналъэм щэнхабзэмрэ туризмэмкIэ и комитетыр. «Черкесский альбом»-м зрезыгъэхьэлIэну хуейхэм абы зэрыщIыхьэну билетхэр концертыр щекIуэкIыну филармонием и кассэм, Краснэ уэрамым тет 154-нэ унэм, апхуэдэуи KASSIR.RU онлайн кассэм къыщащэхуфынущ. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100400.txt" }
Хъэуан фо Хъэуаныр фIыуэ хъуауэ къыхах, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, хъыдан гъущэкIэ ялъэщIыж, тIууэ зэгуаупщIыкI, жылэр кърахри яупщIатэ, и фэр трагъэж, хъэуаныку къэнам псыр къыщIаху. Абы щхьэкIэ псыщIэху, лыхьэж къагъэсэбэп, е бинтым кIуэцIалъхьэри къыщIакъузыкI. Хъэуаныпсыр кхъузанэ щабэкIэ язри, кIэструлкIэ мафIэм трагъэувэ. МафIэр ин ящIри, и щхьэр темыпIауэ къагъавэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. Ар зэ къызэрытекъуалъэу зэIащIэ, къимыкIын щхьэкIэ. Къытекъуэлъар дакъикъи 5 — 6 дэкIмэ къикIыжынукъым, къэкъуалъэу тетынущ. ЩIимысыкIын щхьэкIэ, хъэуаныпсыр бэлагъкIэ зэIащIэ. Абдежым къыщыщIэдзауэ ар Iув хъууэ хуожьэ. МафIэ мыгуащIэм тету дакъикъэ 48-кIэ къавэмэ, хъэуаныпсым и пщтырагъыр градуси 105 — 106-рэ мэхъу. Мис абы и ужькIэ фор хьэзырщ. Ар гъуэжь-фIыцIафэу, Iуву, зэпышу щытщ. Фор кхъузанэ щабэкIэ яз, тIэкIу ягъэупщIыIу, хьэкъущыкъу гъущэм иракIэри, и щхьэр ягъэбыдэж. Халъхьэхэр: хъэуан укъэбзауэ — г 1000, абы фо хьэзыру къыхокI — г 130-рэ. Лэпс зэщIэт, джэдыл, кIэртIоф, хугу хэлъу Джэд гъэкъэбзар тыкъыр цIыкIуурэ зэпауд, яупщIатэ я хьэлъагъыр г 45 — 50 хъууэ. Псы хуабэкIэ тIэу-щэ ятхьэщI, шыуаным иралъхьэри, псы щIыIэ щIакIэ, мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. Шыгъу хадзэ, шыуаныщхьэр трапIэри, мафIэ щабэм тету тхъурымбэр къытрахыурэ ягъавэ дакъикъипщI-пщыкIутху хуэдизкIэ. ИтIанэ зэпэплIимэ цIыкIуурэ упщIэта кIэртIофыр халъхьэри зэIащIэ, шыуаныщхьэр трапIэри, мафIэ щабэм тету дакъикъих-икIэ ягъавэ. Абы зэIащIэурэ хугу лъэсар хакIутэ, шыуаныщхьэр трапIэжри хьэзыр хъуху — дакъикъэ 15 — 20 хуэдизкIэ ягъавэ. Шыуаныр мафIэм къыпэрахыж, пэшхьэкубгъум деж трагъэувэри, бжьын гъэлыбжьа традзэ. И щхьэр трапIэри, дакъикъитху-хыкIэ щагъэт, нэхъ IэфI хъун, мэ гуакIуэ къыщIыхьэн щхьэкIэ. ЗэрызэщIэту пщтыру фалъэ куукIэ Iэнэм трагъэувэ. ЩIакхъуэ е чыржын дашх. Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): джэдылу — г 150-рэ, псыуэ — г 700, кIэртIоф укъэбзауэ — г 60, хугуу — г 20, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз. Бжьын гъэлыбжьам: тхъу гъэвэжауэ — г 20, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 20, шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» хылъым къитхыжащ. Псыщхьэ мылыр зы махуэкIэ хъуркъым Iув Делэр бущийуэ уи жьэр иумыгъэш, шэдым жылэ тепсэкIэ къытекIэнкъым мэш. * * * Зи гугъэжым цIыху цIэрыIуэу куэдрэ щIэщхъу къыщощI… ЩыгъыныщIэ щызытIагъэм псори къеплъ къыфIощI. * * * Нэхъыжым пэрыуэм сыт мыгъуэр и махуэ? И гугъэжщ ЩIалэгъуэм сытым дежи захуэу!.. * * * Нэхъ ерыщу дызыпылъыр ди Iуэху лъэпкъи зыхэмылъырщ, дэни хэтIуу ди бэлагъыр, — сыту тфIэфI-тIэ а делагъэр! * * * Нобэ зыри къомыфыгъуэм, жыIэгъуейщ уи Iуэхур щIагъуэу, ар къэпщIэну зэуэ гугъуми, къэгъуэтыж езым уи дагъуэр. * * * Пэжым псэр ебгъэсэжамэ, пцIым уегъащтэ — ухуэзамэ. * * * Псыщхьэ мылыр зы махуэкIэ хъуркъым Iув, «Сэ псори сощIэ!..» — жыпIэу укъысхуэмыув! * * * Темылъ укIуэд бэзэрым фIыгъуэу, — щокIуэкI Iиблис и хьэгъуэлIыгъуэр. * * * Уопсэури уэ утету дыгъужь хабзэм, жыбоIэр ахъшэм хуэмыщIэн щымыIэу, атIэ щхьэ къыумыщэхурэ зы псэ къабзэ, зы гу хьэлэл, Iущыгъэ — уэ уимыIэр? * * * ЦIыхум и насыпыр зыхимыщIэ, бгъэдэлъыпэми — къыхуэмыцIыху, ар абы щебакъуи — къыхуэмыщIэ, IэщIэкIам — уэлбанэщ, пщIащэпыхущ… Хьэту Пётр. Зи щхьэ зыфIэмыдэхэж щыIэкъым ЗэдэмыпсэуитI зэнтIэIуркъым. Зэз зи бзэгу телъым IэфI щымыIэж къыфIощI. Зи бзэ текIуэда куэд кхъэм щIэлъщ. Зи лIэгъуэ къэсам и мыхьэл къещтэ. Зи мылъку зыфIэкIуэдам хуэгуIи, зи акъыл зыфIэкIуэдар гъеиж. Зи щхьэ зыфIэмыдэхэж щыIэкъым. Хьэм и кIэм утеувэмэ, къодзакъэ. Щыгъын хьэху нэхърэ — щыгъын фаджэ. ЩIалэ ебгъэлъагъур и гъуэгущ. ЩIэ ягъэIущ щхьэкIэ, жьы яущиижрэ? Делэрэ губзыгъэрэ я зэхуаку Зыгуэрым и къуэш делэр делэщым ишат, яритыну. Нэсхэри, губзыгъэр гъущI куэбжэ лъагэм еIэу уващ, Iуихыну. Зи, хуIухыртэкъым: еIащ — IукIакъым, аргуэру еIащ — IукIакъым! Щымыхъуххэм, делэр къэпсэлъащ: — Мо щIыIу плъыжь цIыкIу хуэдэ хэгъэбыдам текъузэт… Къуэш губзыгъэм делэм жыхуиIам трикъузэри, гъущI куэбжэ абрагъуэр Iэуэлъауэшхуэ ищIу къызэIужащ. Делэрэ губзыгъэрэ я зэхуаку блын дэткъым. УмэжэлIауэ къыщIэкIынщ Зи щхьэгъусэр лэжьакIуэ дэкIа ХьэкIулинэ пщэдджыжьышхэр зэфIэкIыу цIыкIухэр еджапIэм иутIыпща нэужь, унэр тIэкIу зэлъыIуихщ, зи ныбжьыр илъэс иримыкъуа и щIалэ нэхъыщIэр и Iэблэм тригъэтIысхьэри, уэршэракIуэ ежьащ. Гуэщым белыкI зыупсу щIэс тхьэмадэм абы зыри жриIакъым, сабийм тIэкIу къыдэджэгуа мыхъумэ. ХьэкIулинэм къимыгъэзэжурэ, махуэр фIыуэ хэкIуэтащ. Ауэрэ, шэджагъуэ нэужьми нэсащ. Бжьэпэм тет дзэл жыг баринэшхуэм и щIагъ удзыпцIэ жьауапIэм фыз уэршэрым яхэсу щIэс ХьэкIулинэр къыщызэплъэкIым, гу лъитащ и тхьэмадэ къыIухьам. ЛIыжьым и Iэпэм фIэдзат хъуржын цIыкIу, зы щIакхъуэ Iыхьэшхуэ, кхъуей цIынэ ныкъуэфI, игъэвыкIауэ джэдыкIэ зытIущ, псыIэфI птулъкIэ илъу. — Мэ, тIу, нышэдибэ лъандэрэ уныдыхьэжакъым, умэжэлIауэ къыщIэкIынщ, — хуишиящ абы гъуэмылэр нысэм. Ныбжь — Уузыншэщ, уи къару илъыгъуэщ, итIани…- гукъанищэр хуэсщIрэ жезмыIэ щымыIэу соущие нэхъыщIэм. — Бетэмал, а уэ уи ныбжьым иджыпсту сэ сыкъихутэжамэ, плъагъунт сщIэр! — НтIэ, сэ си ныбжьым уитакъэ уэ?! — Абы щыгъуэ уэ а уи щхьэм иджыпсту илъым хуэдизщ сысейми илъар! Хьэх Сэфарбий. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 1. Гъавэ къэкIыгъэ. 4. Пхъэм къыхабзыкIа бжэмышхышхуэ. 6. Дыгъужьри бажэри зэщакIуэ псэущхьэ лъэ псынщIэ. 8. Гъэгъа Iэрамэшхуэ хужьхэр хъуэпсэгъуэу къызыпыкIэ, ди щIыпIэм щыкуэд жыг. 9. ДжэдыкIэ … 10. ЦIыхубзхэм зыкIэралъхьэ хьэпшып цIыкIу. 13. Хывым нэгъуэщIу зэреджэ. 14. Куэд щIауэ щыт бжыхьыр … хъуащ. 19. Хъарбыз … Е зыгуэрым и фIыпIэ. 20. Я бийхэм яйуэ, зауэм щытекIуахэм къаIэрыхьэ хъугъуэфIыгъуэхэр. 21. Псы Iуфэ мывалъэ-пшахъуалъэ. 22. Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я щIыналъхэм щыIэ псыежэх. 24. Совет Союзым, Европэм, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу щытекIуа адыгэ шууей … Жамбот. 26. Уэлбанэми уаеми ущызыхъумэ, ди зэманым щIагъуэу зэрамыхьэж цIыхухъу щыгъын хуабэ. 27. Чы … Е гъавэ, ерыскъыхэкI зралъхьэу щыта кумбыгъэ. 28. ТхакIуэ цIэрыIуэм и цIэкIэ … дахэ зэхашащ. 32. … из хъужыркъым. 34. Уи щхьэ мыузым … къыумышэкI. 35. Адыгэ композитор Iэзэ. 36. Унэм ибгъу. 37. Узыдэмыхьэ къуэладжэ … дэзщ. 35. ЦIыху уэд. Къехыу: 1. Шым и кIуэкIэ. 2. … налъэ. 3. Iэпкълъэпкъ зэрытыпIэхэр зэрызыгъэIыгъ, къупщхьэмрэ лымрэ зэпызыщIэ. 5. Узыпхымыплъыф хьэуа. 7. … -махуэми, си унэ ныкъуэщIыр и кIэм нэзгъэсыжащ. 11. Бжэгъу кIыхь, къурагъ гъум. 12. ЛIы ефа жеижам и … макъ къоIу. 13. Къэбэрдей тхакIуэ, журналист. 15. Кърымым, Азие Курытым щыIа къэралыгъуэхэм я Iэтащхьэхэм зэреджэу щыта. 16. Хэку зауэшхуэм и зэманым бийм ерыщу пэщIэта Къалэ-лIыхъужь, быдапIэ. 17. Волгэ псым адыгэхэр зэреджэу щыта. 18. … ныбжьыщIэхэр школ пщIантIэм щызэрызохьэ. 23. … щытхъуи, щIэр къащтэ. 24. Ди адыгэ тхакIуэ, усакIуэ зыбжанэм фIаща хамэцIэ. 25. ЗекIуэ ежьа шу гупым я кIэм ит. 26. ЛIыхъужьым пщIэ, … хуэфащэщ. 29. ЦIэрыIуэ хъуа «Данэ бэлътоку» уэрэдми, нэгъуэщI зыкъомми макъамэ хуэзытха уэрэдус, уэрэджыIакIуэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист Къашыргъэ … 30. Адыгэ театрым и джэгуакIуэу щыта, Лениным и ролри, нэгъуэщI куэди Iэзэу зыгъэзэщIа, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист. 31. Мэлыхъуэ пщыIэ. 33. Нарт хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Iэщхэм я тхьэ. 35. Нартыху … е дыгъэ … Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. ШыщхьэуIум и 7-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 1. Къазмакъ. 4. Ныбжьэгъу. 7. Курыт. 8. Йорк. 10. Инат. 11. Бдзы. 12. Напэ. 15. Хьэзыр. 16. Хьэрып. 19. Псыдыуэ. 20. Тхъу. 21. Ущ. 22. Бемырзэ. 25. Сыбыр. 26. Благъуэ. 30. Жэпкъ. 32. Къру. 33. Гъашэ. 34. Гъунэгъу. 36. Щабэ. 37. ЩIэрыкIуэ. 38. Щхьэдыкъ. Къехыу: 1. Къабзий. 2. Мурат. 3. Къат. 4. Ней. 5. Борэн. 6. Гъуэншэдж. 9. Гудзэ. 13. Бырс. 14. Хьэлу. 15. Хьэнтхъупс. 17. Пхъэщабэ. 18. АдрыщI. 23. Ерыщ. 24. Залэ. 27. БжэхуэщI. 28. Къурш. 29. Сэрмакъ. 31. Къанлы. 33. Гъыбзэ. 35. Гъуджэ. 36. Щыщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100403.txt" }
Адыгэбзэр къэрал куэдым щадж Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыбзэу щылажьэ адыгэбзэр, мащIэми куэдми, анэдэлъхубзэу зыIурылъ ди лъэпкъэгъухэр хамэ къэрал щэ ныкъуэм щIигъум щопсэу. Нобэ тегъэчыныхьауэ жыпIэ хъунукъым апхуэдиз къэралым адыгэбзэр щащIэу е щаджу, ауэ ар щылажьэ, абы щелэжь къэралхэр щыIэщ. Псалъэм папщIэ, адыгэбзэр щадж Куржым и Тбилиси къэрал университетым, Швецием щыIэ Мальмё университетымрэ Люнд университетымрэ, Нидерландхэм я Лей- ден университетым, Канадэм — МакМастер университетым, Австралием щыIэ Квинсленд университетым, нэгъуэщI къэралхэми. Ауэ абыхэм адыгэбзэр зэрыщаджыр нэхъыбэм зытещIыхьар къэхутэныгъэ лэжьыгъэрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ а университетхэр къэзыуххэм нэгъэсауэ адыгэбзэр ящIэу щыткъым, атIэ адыгэбзэм и теорием и кIуэрабгъухэм щагъэгъуазэу аращ. Арами, адыгэбзэр щIэныгъэ утыкум итыным хуэщхьэпэ Iуэхушхуэ ялэжь а еджапIэхэм. Абыхэм къащхьэщокI Тыркум адыгэбзэр джыным и Iуэхур университетышхуитIым зэрыщыщекIуэкIыр: я адыгэбзэ къудамэхэр къэзыуххэр адыгэбзэр курыт еджапIэхэми университетхэми щезыгъэдж егъэджакIуэуи щIэныгъэлIуи лэжьэфынущ. Къудамэхэм щеджэхэм апхуэдэ лъэкIыныгъэ яIэнымкIэ, щIэныгъэ куу ягъуэтынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI Хэкум икIа егъэджакIуэхэм. АдыгэбзэмкIэ къудамэхэр Тыркум и университетхэм къызэрыщызэIуахам нэгъуэщI мыхьэнэи иIэщ: абы а къэралым щыпсэу адыгэхэр игъэгушхуащ, адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, адыгэ щэнхабзэр мыкIуэдыжу щIэблэщIэр щIэпIы- кIа хъунымкIэ гугъапIэшхуэ адыгэм къари- тащ. 2021 гъэ еджэгъуэщIэм,Тыркум и Дюзджэ университетыр къапщтэмэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм шыщхьэуIум и 5-м щегъэжьауэ 20 хъуху щIэтIысхьэну хуей- хэм я дэфтэрхэр къыIах. Кавказ ЩIыбым щыщу а еджапIэ нэхъыщхьэрщ Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ япэу къудамэ къызэIузыхар. Абы япэ студентхэр 2013 гъэм щIэтIысхьэри, 2017 гъэм егъэджакIуэ хьэзырхэр къыщIигъэкIауэ щытащ. Мыбы щеджэр Тыркум ис адыгэхэм я закъуэкъым, атIэ дэнэ къэрал къикIари щIотIысхьэф, къищынэмыщIауэ, зи бзэр нэсу зэзыгъэщIэну, абы ирилэжьэну хуейхэм я мызакъуэу, адыгэбзэр бзэ щIэныгъэу зыдж нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIахэри щолажьэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100406.txt" }
Музейм зыплъыхьакIуэхэр и бэщ 2021 гъэм и бадзэуэгъуэм зыплъыхьакIуэхэр куэду къекIуэлIащ Кфар-Камэ (Израиль) дэт адыгэ музейм. Абы и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьер зэрыжиIэмкIэ, гъэмахуэ мазэр егъэлеяуэ хуабэу щытащ, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу цIыху ямэщIакъым. Израилым кIуэ зыгъэпсэхуакIуэхэм ящыщ куэд Кфар-Камэ дохьэ, нэхъыжь дыдэу дунейм тет лъэпкъхэм ящыщым и тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр щахъумэ, адыгэ макъамэр щызэхэпх музей пщIантIэм. Дэтхэнэ хьэпшыпми щIэупщIэ иIэщ, абыхэм я тхыдэр цIыкIуи ини яфIэгъэщIэгъуэнщ. Зухьер зэрыжиIэмкIэ, абы и щхьэусыгъуэр музейм щIэлъ экспонатхэр ди адэжьхэм я щIэин дыдэу зэрыщытырщ, лIэщIыгъуэ гъуэгуанэ къызэпачауэ ди нобэрей гъащIэм къызэрысарщ. КъищынэмыщIауэ, туристхэм яфIэгъэщIэгъуэнщ адыгэ фащэр, Iэщэр, макъамэ Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщIхэри. ЗыплъыхьакIуэхэм я про-цент блыщIыр Израилым ис журтхэращ. Абыхэм я нэхъыбэр адыгэм и хъыбар зэзыгъэщIэну хуейхэрщ. Процент 14 хуэдизыр хьэрыпщ. Ахэри я гуапэу къакIэлъокIуэ, адыгэмрэ муслъымэнымрэ ягу дохьэри, нэхъ гъунэгъуу зрагъэцIыхуну, я къекIуэкIыкIам зыщагъэгъуэзэну хуейуэ апхуэдэщ. Адрей къэнар, къэралым къихьэ туристхэращ — итальян, урыс, нэгъуэщI лъэпкъхэрщ. IуэхукIэ Тель-Авив, Иерусалим кIуа зы адыги кIуэж къыщIэкIынкъым, Кфар-Камэ дэс и лъэпкъэгъухэмрэ адыгэ музеймрэ зримыгъэлъагъуу. Журтхэми далъагъу хабзэ гъэщIэгъуэн — музейм зэ къэкIуа журтым Iэмал имыIэу зыгуэр къыздишэнурэ къытригъэзэнущ. Е апхуэдэу зэ щыIахэм я ныбжьэгъухэм, я благъэхэм жраIэжри: «Зэхэтхащ музей гъэщIэгъуэн зэрыщыIэр», — жаIэурэ макIуэ. 14 Музейм и мыхьэнэр хуаб- жьу инщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зы сыхьэтым къриубыдэу цIыхухэм абы къыщащIэр университетым щебгъэджкIэ яфIэмыгъэщIэгъуэнынкIэ хъунщ. Абы екIуалIэр ар зэзыгъэлъагъуну зи нэ къикIращ, му-зейр зей лъэпкъыр нэхъ гъунэгъуу зэзыгъэцIыхуну хуейращ. Мис абы тынш, гъэщIэгъуэн ещI ди лъэпкъэгъухэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр. А музейр — журтхэм яхэс ди лъэпкъэгъухэм я хъугъуэфIыгъуэр щахъумэ уардэунэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100408.txt" }
Хьэткъуэ Аслъэн хэкум къегъэзэж НэхъыжьыфI зиIэм нэхъыщIэфIи иIэщ жаIэ. Тыркум ис адыгэхэм пщIэшхуэ хуащIу, гъуэгугъэлъагъуэ, чэнджэщэгъу яхуэхъуу яIэщ Хьэткъуэ (Ары) Аслъэн. Ар нобэ Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я зэгухьэныгъэ иныр къызэзыгъэпэща лIы щыпкъэхэм ящыщ зыщ. Мы гъэм и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирикъуащ Аслъэн. Иджыри къыздэсым ди лъэпкъэгъухэм щапхъэ яхуэхъуу, къызыхэкIам хуищI пщIэмрэ адыгэлI нэсым и цIэр зэригъэпэжым-рэ и щапхъэу Тыркум щыпсэуащ. Иджы тхьэмахуэ кIуам Хьэткъуэ Аслъэн и гъащIэм мурад нэхъыщхьэу щиIар игъэзэщIащ. Ар хэкужьым щыпсэуну къэкIуэжащ, и гъащIэм щыщу къэнэжар щигъэкIуэну къыхихари Адыгэ Республикэращ, Махуэхьэблэ дэсынущ. Аслъэнрэ и щхьэгъусэ Сюзаннэрэ (ар Жьэжьейхэ ящыщщ) гуапэу, хуабэу кърагъэжьэжащ я Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм, КАФФЕД-м хэт я лэжьэгъухэм. ТIуащIэт ар къезыгъэжьэжхэм я гурыщIэр. ГъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми фIыуэ хэзыщIыкI нэхъыжьыфIыр зэрамыгъунэгъужынур, хэхэс гъащIэм и дыджи, и тыншыгъуи зыгъэунэхуа лIым и чэнджэщхэм зэрыпэIэщIэнур я жагъуэ хъуми, адыгэлI нэсыр и хэкужь зэрыкIуэжым, и мурадыфIыр и жьыщхьэ зэрызригъэхъулIам щыгуфIыкIыу гупышхуэм кърагъэжьэжащ. Щапхъэу дуней псом щыбгъэлъагъуэ хъунщ Аслъэнрэ Сюзаннэрэ къызэдакIу гъуэгуанэр. Абыхэм зы махуэ ягъэгъуэщакъым адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIар, адыгэ Iуэхур IэщIыб зы махуэ ящIа-къым. Дэнэ къалэ щымыпсэуами, абы Хасэ щызэхашэрт, адыгэу дэсыр зэхуашэсырти, зэрагъэцIыхурт. Сюзанни Хасэ унафэщIу щытащ, Аслъэнти, хамэ къэрал щыIэ хасэхэм я зэхэшакIуэт. ТIуми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэу лэжьыгъэ IэнатIэ пэрытт, абы емылъытауэ Хасэ лэжьыгъэри зэфIахырт. Абыхэм я къаруилъыгъуэм, Хасэхэр къыщызэрагъэпэщ зэманым Тыркум и политикэ ухуэкIэр нэгъуэщIт. Зи бзэкIэ псалъэр, зи лъэпкъ Iуэху зезыхуэр хьэпсым ирадзэрт. Абы и лъэныкъуэкIэ гугъуехь куэдым хэтащ зэщхьэгъусэхэр, итIани къызыхэкIам епцIыжакъым, къыщIадзэ Iуэхур и кIэм намыгъэсу зэи къэнакъым. Лэжьыгъэ IуэхукIэ къалэ зыбжанэм щыпсэун хуей хъуати, абы къалэну зэфIахар къэлъытэгъуейщ. Ауэ нэхъыщхьэр Тыркум щыIэ Кавказ Хасэхэм я федерацэ Анкара къызэрыщызэIуахаращ. Хьэткъуэ Аслъэн 1984 гъэм КАФФЕД-м и тхьэмадэу хахащ. Зэрылэжьа илъэсхэм къриубыдэу шынэ имыщIэу и лъэпкъэгъухэр зэрихъумэным, бзэм, хабзэм зэрыхуиущииным, адыгэр адыгэу къызэтенэным и гуащIэ хилъхьащ. А Iуэхухэм щхьэкIэ лIы щыпкъэм куэдрэ хьэкум тращIыхьащ, суд пащхьэ иувэн хуей хъуащ. Ауэ зэи къикIуэтакъым. Аслъэнщ Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм хэхэс адыгэхэм дауэдапщэ иращIэкIыу къезыгъэжьар, иужькIэ ар хабзэ да- хэ хъуауэ, нобэ полицэхэри властри къапэщIэмыувэу илъэс къэс ирагъэкIуэкI. 2018 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэр Тыркум щрагъэкIуэкIыну дыкIуауэ ДАХ-м и унафэщIхэр Хьэткъуэ Аслъэн и унагъуэ ихьащ икIи адыгэ Iуэхум зэрыхэлIыфIыхьам, и гъащIэ псор абы зэрытриухуам папщIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий абы фIыщIэ хуищIри, ДАХ-м и дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ ЩIыхь тхылъымрэ иритауэ щытащ. Хьэткъуэ Аслъэнрэ Сюзаннэрэ зы къуэрэ зыпхъурэ — Жансэтрэ Жанбэркрэ — яIэщ. Нобэ ахэр къыщалъхуа къэралым къинами, я адэ-анэр гуфIэу кърагъэжьэжащ, адэм и гухэлъ нэхъыщхьэр къызэрехъулIам я нэпсыр къригъакIуэу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100413.txt" }
Лосэн Алимырзэ цIыкIу и гъыбзэ Зы уэрэдым и тхыдэ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм, иджы ЗеикъуэкIэ зэджэм, блэкIам епхауэ щIыпIэ гъэщIэгъуэн куэд ущрохьэлIэ, я хъыбар нэхъыбэжи ехъумэ. Къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэр а щIыпIэхэмрэ зэрахьэ фIэщыгъэхэр къызыхэкIамрэ тебгъэуэршэрыхьыну ущыхуежьэкIэ, узыщIэупщIэр тхыдэшхуэ хъыбар хьэмэрэ къуажэ хъыбар жаIэу IуэрыIуатэжьхэм я гъунэ къилъэгъуэ дыдэм деж къаIуэтэжынуми тур тращIэ, зы унагъуэ, зы жылэ, зы хэгъэгу я тхыдэр иризэхагъэкIыу. IуэрыIуатэхэмрэ щIыпIэцIэхэмрэ щызэхуэтхьэс апхуэдэ зы зекIуэ гуэрым апхуэдэут къызэрызэупщIыгъар дунейм зэрехыжрэ куэд мыщIа, ауэ къызэрымыкIуэу къэIуэтэжакIуэ Iэзэу щыта, щIэж хъарзынэрэ псэлъэкIэ дахэрэ зиIа Мэжджыхь Аслъэнбий. Зи гъащIэр губгъуэм къимыкIыу зыхьа нэхъыжьыфIым ар ауэ сытми зэрыжимыIэр къызигъащIэмэ фIэфIу, нэбгъузкIэ къызэплъыгъат. Гу щылъыстэми, унагъуэ хъыбаррэ жылэ IуэрыIуатэкIэ къригъажьэмэ зэрысфIэигъуэр жесIащ. НэхъыжьыфIми къригъэжьащ… «Алимырзэ и щыхупIэкIэ» зэджэ щIыпIэм и хъыбарым сыщыгъуазэмэ къызэупщIащ. ЗэрызмыщIэр щыжесIэм, къригъэжьащ… «Алимырзэ и щыхупIэкIэ» зэджэр Хьэрэкхъуэрэ Iуащхьэхэм я зэхуакум къыдэкIыу зы щIыпIэщ, къехыгъуэ защIэрэ задэу. Къуажапщэм щыпсэухэр ЛампIэжьыкъуэ нэс пхъащхьэ щхьэкIэ кIуэуэ гъуэгу кIыхь къызэпамычын щхьэкIэ, а къыщхьэдэхыпIэр зекIуапIэ ящIат хьэтIохъущыкъуей щIалэщIэхэм. Ауэ, гъэмахуэм шынагъуэшхуэ къыхэмыкIыу ущызэхэзекIуэ хъуми, щIымахуэм, уэс тесамэ е щтырыгъу трищIамэ, къыщыпкIухьынуи хьэлъэ къыщепхьэкIынуи дзыхьщIыгъуэджэт. Апхуэдэ зы бжьыхьэ кIасэу, щIы щхьэфэр щытещтыкI зы лъэхъэнэ гуэрым, къуажэм щыщ зэныбжьэгъу щIалитI псапэхуэщIэу жаIэщ, я щхьэрэ я гуащIэрэ щыгугъыжри, Хьэрэкхъуэрэ щIыбкIэ кIуэгъащ. А щIалэхэм я щхьэ кърикIуа Iуэхугъуэщ а щIыпIэм игъуэта фIэщыгъэр къызыхэкIар, иужькIэ гъыбзэ зытраусыхьыжари. Мэжджыхь Аслъэнбий зи гугъу ищIыр Лосэн Алимырзэрэ Шурдым Елмырзэрэт. Я ныбжьым емылъытауэ, зэныбжьэгъуитIым къуажэдэсхэм фIыуэ зыкърагъэлъагъуфат. ТIури гулъытэ зиIэ, гущIэгъу зыхэлъ цIыхут, щIалэ дыдэ пэтми, хуэмыщIам зыщIагъакъуэу, зи Iуэху хуэмыхъум дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуу, дэхуэхам щIэгъэкъуэну къахущIэкIыу апхуэдэт. ЩIыпIэм цIэ щIигъуэта Лосэнхэ я щIалэр хэщIыхьауэ къэлъагъуэ щхьэкIэ, бланэт, IэпщафIэт, зэIусэр къыгуихыу къарууфIэт, зэ IуплъэгъуэкIэ ябгэу къыпфIигъэщIу набдзэзэхэкIэу пIэрэ жыпIэну уIуплъэми, хуабжьу гу щабэт икIи гумащIэт. И цIыкIуагъри, и гумащIагъри хэлъу къыщIэкIынт абы Алимырзэ цIыкIукIэ фIэкIа нэгъуэщIу еджэу зэрыщымытар. АпхуэдизкIэ жэрдэмщIакIуэти, емыгъэз амбаркIэ еджэу къуажэкум щагъэувыгъам, пхъэтеш зыфIаща гъэтIылъыпIэри къыгуригъэщIыхьыжыгъат. Емыгъэз амбарри пхъэтешри тхьэмыщкIэхэм, дэхуэхахэм зэрызыщIагъакъуэ Iуэхугъуэт, шыкуэтэн лъагэ щIэту дуушхуэ теплъэ зиIэ ухуэныгъэт. Хэт сыт хузэфIэкIми, ар ирехьэжыгъэ, ирегуэдз, сыт ирехъуи, пIалъэ кIэщIкIэ зэмыкIуэкIыну гъавэхэкIхэм щыщ кърахьэлIэрт. Къуажэм щыщми, нэгъуэщIыпIэ къикIами, хуэныкъуэр абы хэIэбэу къыхихыну хуиту щытащ. ХузэфIэкI хъумэ, къыхилъхьэжыну хьэкъ иIэт, ар къехъулIэну къимыгъэгугъэми, хьэлэл хуащIырт. Алимырзэ абы къыгуигъэувэжа пхъэтешым пхъэр щызэтралъхьэрт, фызабэхэмрэ унагъуэшхуэхэмрэ пшыныж къыхэмыкIыу зыхуэныкъуэм хуэдиз трашыну Iэмал яIэу, ар пхъэгъэсынми пхъащхьэми. Дин узэщIакIуэ, усакIуэ Куп Исмел-хьэжы Алимырзэхэ я гъунэгъуу щытащ, абы и жьауэ щIэту къэтэджащ. А цIыху цIэрыIуэм КъурIэн иригъэджауэ еджэкIэ ищIэу, щIэныгъэми игу хузэIухауэ апхуэдэт. КъурIэн къыщеджэкIэ, и макъыр апхуэдизкIэ дахэти, псыхьэ ежьа цIыхубзхэм щIежьар ящыгъупщэжауэ абы едаIуэу я бжьыхь кIапэм щетIысэххэрт, жаIэж. Езы Алимырзэ къызыхэкIари унагъуэ цIыкIутэкъым, и диным къигъэув хьэкъхэм ящыщу хьэжыщI гъуэгу теувэныр хузэфIэкIынутэкъыми, «хьэж пщIам хуэдэщ гъуэгу хэпшмэ» жаIэу щызэхихым, ДыгъэмыхъуэкIэ уикIыу иджыпсту къуажэ сымаджэщыр здэщытым ипщэкIэ дэкI гъуэгур, иджыри къыздэсым «Хьэжы цIыкIу и лъагъуэ» жаIэу къежьэгъар, хригъэшауэ щытащ, мэкъупIэм нэхъ дэкIыгъуафIэ хъунщ, жиIэри… ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Алимырзэ зыхуэдэр къуажэ псом ящIэу, ищIэм пщIэ иIэрэ къыфIэлIыкIыу апхуэдэт. ЩIымахуэр къэмыс щIыкIэ жаIэри пхъэтешым къытралъхьэн пхъэр кърашэхыну Хьэрэкхъуэрэ щIыбкIэ дэкIащ. ЯщIэрт хэкIасэмэ, пхъэгъэсын зимыIэ фызабэхэр гугъу зэрехьынур, пхъащхьэ щхьэкIэ бэлыхь хэхуэн унагъуэшхуэхэр къуажэм зэрыдэсыр. Арати, Шурдымхэ Елмырзэр и ныжьэгъуфIти, ар гъусэ ищIри, Хьэрэкхъуэрэ дэкIащ. Хъарзынэу я Iуэху Iыхьэ кърахьэлIауэ къежьэжри, къехыгъуэм къэсащ. Жэщым щтырыгъу бзаджэ ищIа джабэ нэкIум къытехьэри, куэд ямыкIуу Елмырзэр цIэнтхъуащ. «Уохуэхыр, сыхьэт махуэ теувэн!» — жиIэри Алимырзэ кIэлъыпхъуэри Елмырзэр иубыдыжащ. Пхъэлъэф ящIурэ пхъэр къагъэIэпхъуэу арати, пхъэ сатырыр зэтрагъэзэгъэжу щыкIэщIэрыIэжым, зэрыхъуар Тхьэм ещIэ, пхъэр ебгъунлъэкIри къуэм дэхуащ, пхъэр зэрызэпха кIапсэм зи Iэр къыхудэмыхыжа Алимырзэ здрихьэхри… Къуажэм гущIыхьэ ящыхъуащ щIалэм и кIуэдыкIар. Абы лъандэрэ а щIыпIэм пхъэлъэф щащIу щызекIуэжыркъым, ауэ и цIэр къытенащи, и гугъур нобэр къыздэсам ящI. Алимырзэ цIыкIу и щыхупIэ- кIэ зэджэри Хьэжы цIыкIум и лъагъуэри щIалэщIэ дыдэу дунейм ехыжа Лосэн Алимырзэ и цIэм епхащ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ хьэлэмытыжыр Аслъэнбий и псалъэр зэриухарат: «Алимырзэ и гъыбзэр Жылау Барэ жиIэжу куэдрэ зэхэсхащ, едзыгъуэ гуэр къэсщIэжми, псори си гум иубыдакъым». Жылау Бари къуажэ нэхъыжьыфIхэм ящыщу дунейм тетауэ зылIт, ауэ ар дэнэ къисхыжынт. Сызэрыгузавэр къыщилъагъум, зэпигъэувапэурэ мыр жиIащ: «ЩуIэгъэурэ узыщыгугъа дахэри, сэрмыгъуэ, Бжэ къуагъ гущэми къахудэмыши, Зызэ гущэурэ уэ ныпхуеплъэкIри, сэрмыгъуэ, Нысэимыш мыгъуэурэ уэ къыптохъуахъуи…» НэгъуэщI щыхузэмыгъэпэщыжым, Алимырзэ и лъэпкъым си анэшхуэр зэращыщыр иджыри зэ сигу къигъэкIыжщ, абыхэм сеупщIмэ, зыгуэр къагубзыгъыжынкIи зэрыхъунур къызжиIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Аслъэнбий и фIыгъэкIэ, зы щIыпIэ и хъыбаррэ IуэрыIуатэм и зы ныбзэр къэтIэтыжа хъуащ. Си фIэбэр мащIэу си анэшхуэм деж сыкъэкIуэжу зэхэсхар щыхуэсIуэтэжым, и адэ шыпхъу, Жылаухэ я нысэ ФатIимэт деж куэд дэдмыгъэкIыу дыкIуащ. Си насыпти, ФатIимэт гъыбзэр ищIэжырт, ауэ Шурдым Елмырзэ ипхъу, езым и нысэгъу Жылау Мэряни а уэрэдыр фIыуэ ещIэжри, ари Iуэхум къыхыхьэмэ, куэд щIауэ жамыIа уэрэдыр зэрагъэпэщыжыфынкIэ зэрыхъунур жиIащ. Мэрян дыкIэлъыкIуэу къыщытшэм, абы гу лъыдигъэтащ гъыбзэр жызыIэрейуэ щыта, Алимырзэ и шыпхъу Ладуз и унэ куэдрэ иса Лосэнхэ япхъу, Къэрмокъуэ- хэ я нысэ Куни зыгуэрхэр ищIэжынкIэ зэрыхъунур. Куни, и цIэ дыдэр Къалэгуащэт, а цIэр абы къыфIэзыщари Алимырзэт, щIэж хъарзынэ иIэу къыщIэ-кIащ. Гъыбзэм и нэхъыбэр зэпызыгъэувэжар Жылау ФатIимэтщ. ЕпщIанэ едзыгъуэр Шурдым Елмырзэ ипхъу Мэрянщ. Зыкъом дэкIауэщ 11-нэ едзыгъуэр щыттхыжыфар. Ар къэзыIуэтэжари Лосэнхэ япхъу Шэрхъ Сакинатщ. ФатIимэт къыхидзэу, мыдрей зи цIэ къисIуахэр мащIэу дежьуурэ ттхыжыгъа уэрэ- дым и зэкIэлъыкIуэкIэ псори жыIэгъуейщ, ауэ нэхъыбэр ФатIимэт зэрыжиIэжам къыхэкIыу, абы и едзыгъуэхэр ипэ идгъэщащ, адрейхэр зэрыттхыжам хуэдэу кIэлъыдгъэкIуэжурэ. Мэжджыхь Аслъэнбий и едзыгъуэр ФатIимэт жиIахэми къахэхуащ. Гъыбзэм зи цIэр къыхэщ Дамил, Къэрал, Ладуз сымэ Алимырзэ и шыпхъущ, ПIатIурэ Жэхьфэррэ и къуэшщ. Зызэ жыхуиIэр Алимырзэ и адэ къуэшым и щхьэгъусэщ, нысэ къыхуашарэ унэишэр зэфIэмыкIауэ гуауэр къытехъуати, «къыпхуоплъэкIыр, нысэимыш мыгъуэми къыптохъуахъуэ» жыхуиIэр аращ. Шурдым Елмырзэрэ Алимырзэрэ зы гъэшкIэт, зэлъэгуажьэгъут, зы быдзышэ зэдефати, анэ- къилъхухэм хуэдэу зэрылъытэу, фIыуэ зэрылъагъуу къызэдэгъуэгурыкIуат. ГъэщIэгъуэн хъуну къытщохъу Шурдым Елмырзэр щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Гъэзалийрэ Барэсбийрэ я адэшхуэу зэрыщытыр жытIэмэ. Уэрэдым зи цIэр къыхэщ Дамили Нэхущхэ я нысащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ уэрэджыIакIуэ Нэхущ Чэрим и адэшхуэм и анэщ. Алимырзэ щхьэкIэ «щIалэ гуапэт» жаIэ, и гугъу зыщIыжу хужаIэн зиIэ мащIэу къэнахэм. А псалъэхэр гъыбзэм къыхощ. Уеблэмэ, къуажэм бгэрейуэ зы фызабэ дэст, жаIэ, абы ухуэзамэ, Iэмал имыIэу зыбгъэпскIыжын хуейщ, жаIэу. Ара пэтрэ, мо щIалэм и гуапагъэм гъуэгу къримыту зригъэхъуэхъуфырт, жаIэри яIуэтэж. Иджы езы уэрэдыр къызэкIэлъыдгъэкIуэнщ. Алимырзэмэ уи пащIэкIитIри, сэрмыгъуэ, Уей, а махуэмэ данагъуэ-данэпс гущэти, Уэ Дамил тхьэмыщкIэми нэпсу щIигъэкI гущэри Бахъсэныжьхэми уэ йобэкI гущэри… Аерирэ, аерирэ рарэ, аерирэ, аерирэ рарэ, Аерирэ, орирарэ, орирарэ, аерирэ, Аерирэ, аерирэ рарэ, аерирэ, аерирэ рарэ, Аерирэ, орирарэ, дунеижьурэ уэ сэрмахуэ… Алимырзэмэ уи шы пщIэгъуалэри, сэрмыгъуэ, Шэщ щIыIэжь мыгъуэмэ щыбогъэщыгъуэ, Щыгъуэ щIыIэ мыгъуэри къызылъысари Уэ Къэралурэ нэпсымыжакъуи… Сырымэурэ си зэпэщIыIухэри, сэрмыгъуэ, Уей, а махуэмэ сфIызэролъэлъри, Нэпсурэ къысфIелъэлъэххэми, сэрмыгъуэ, Си дыщ щхьэнтэри уэ ягъэфыркъэ… ЩуIэгъэурэ узыщыгугъа дахэри, сэрмыгъуэ, Бжэ къуагъ гущэми къахудэмыши, Зызэ гущэурэ уэ ныпхуеплъэкIри, сэрмыгъуэ, Нысэимыш мыгъуэми уэ къыптохъуахъуи… Ладузурэ си тхьэмыщкIэжьыми, сэрмыгъуэ, Дуней нэху гущэри сыту и жагъуэ, Пшынэ фIыцIэурэ уэ къызэгуихыми, сэрмыгъуэ, Къафэ жагъуэ мыгъуэхэр уэ къырегъэкIыр… Алимырзэурэ ди щIалэ гуапэми, сэрмыгъуэ, Дуней махуэмэ лъапэр къыхэпсэт, Дунеижьри щызэщIэуфIыцIэми, сэрмыгъуэ, Уи фэеплъыри хьэдагъэ уджтэкъэ… Уи къуэшыфIхэурэ ПIэтIу, Жэхьфэрхэри, сэрмыгъуэ, Уэ мы махуэхэм уеплъынкIэ гуауи, Анэкъилъхуурэ уи кIэтIий кIапэхэм, сэрмыгъуэ, Хьэдэшэж гущэхэр уэ къытхуаублэ… Зэкуэфэуэжурэ ныпкIэлъыкъугъ гущэхэм Шунэху гущэурэ уэ узэрашэти, сэрмыгъуэ, Нобэ махуэмэ къэнэжа тIэкIуми, сэрмыгъуэ, Я жьэр къемыхыурэ хьэдагъэ паши… Алимырзэурэ ди щIалэ гуапэми, сэрмыгъуэ, Хьэрэкхъуэрэ гущэхэр уэ къыбогъанэ, Анэкъилъхуурэ къыщыбна бынхэри, сэрмыгъуэ, Зэлъыхэгъэурэ уэ уахокIыжи… Шурдым и къуэкIэрэ уи Елмырзэ цIыкIури, сэрмыгъуэ, Ныбжьэгъу гущэхэм яхэплъагъукIти, Уи напэлъагъу гущэм ныкIэлъеIапэурэ, сэрмыгъуэ Щыгъуэ пщIантIэхэм уэ ныдокIыжыркъэ… Алимырзэмэ уи пащIэкIитIыри, сэрмыгъуэ, Жанкъутасурэ дыгъэм полыдкъэ, Уэ уи хьэдэурэ дыгъэм пэджэгури, сэрмыгъуэ, Жэнэт нур гущэхэм къызэщIагъаблэкъэ… Дыгъэмыхъуэмэ и Iуащхьэ бынхэри, сэрмыгъуэ, Дуней махуэмэ уи шыджэгупIэти, ДжэгупIэжьурэ куэбжэпэм къитхэми, сэрмыгъуэ, Шыпсыранэ гущэхэр уэ икIэжаи.. ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100417.txt" }
Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ: Зыужьыныгъэм узэрыдефIэкIуэн Iэмалу щыIэр щIэныгъэращ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ цIэрыIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ и ныбжьыр нобэ илъэс 60 ирокъу. Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Хьэгъундыкъуей къуажэжьым ар къыщалъхуащ 1961 гъэм шыщхьэуIум и 14-м. Черкесск дэт ПТУ №3-м щеджащ 8-нэ класс нэужьым. Дзэм къулыкъу щищIащ, итIанэ пIалъэкIэ щылэжьащ Хьэбэз щIыналъэм и радиом, редакторым и къалэнхэр игъэзащIэу. 1992 гъэм Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къиухащ. Зэреджэм хуэдэурэ «Советская молодёжь» газетым щылажьэрти, абы и «Псынэ» напэкIуэцIыр игъэхьэзырырт. КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэкIэ егъэджакIуэ цIэрыIуэу Налшык дэсащ, журналист лэжьыгъэри абы дихьу. «Хасэ» газетым и редактору щытащ 1996 — 1999 гъэхэм. «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэу 2003 гъэм Черкесск игъэзэжауэ нобэр къыздэсым абы щолажьэ. Илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъур ди щхьэусыгъуэу упщIэ зыбжанэкIэ Тхьэгъэпсэум зыхуэдгъэзащ. — Увжыкъуэ, уи сабиигъуэм, укъыщалъхуа жылэжьым укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт. — ГушыIэр зи щIасэхэм илъэс хыщI ныбжьыр жьыгъэм и сабиигъуэу ябж. Зыгуэри къэбгъэщIа хуэдэу, икIи къэбгъэщIа щIагъуи щымыIэу ныбжь гъэщIэгъуэн гуэрщ ар. ИтIани, зумыгъэщIэгъуэкIыщэ хуэдэурэ, зэзэмызи укъызоплъэкIыж. УкъызэплъэкIыжыхукIи уи гъащIэм и нэхъ IэфIыгъуэ дыдэу хэплъэгъуэжыр сабиигъуэращ, зы унагъуэм хуэдэу зэдэпсэууэ щыта укъыщалъхуа хьэблэжьым щыбгъэкIуа гъащIэ Iыхьэрщ. Адэ-анэм я гъусэу хадэм дитами, тхулъэкI тIэкIур тщIэуэ, дадэIэпыкъу ди гугъэжу губгъуэм дыщыщыIэ къэхъуами, къэджыхьурэ ди лъакъуэм банэ къыхэуами… Псори тщыгъупщэжри, ди гум IэфIу къинэжащ махуэ псом псы Iуфэм дыIусу зэрыщытар, гъуэрыгъуапщкIуэ, топ дыджэгуу губгъуэми, псыхъуэми, хьэблэми дызэрыдэтар… Дагъэшхэн щхьэкIэ унэм драхулIэжу… Сытми, сэри си сабиигъуэр, дэтхэнэ зы къуажэдэс сабийм ейм хуэдэу екIуэкIащ. Хьэгъундыкъуей къуажэжьыр къапщтэмэ, ар ди унагъуэшхуэм хуэдэу ноби къызолъытэ. Ди къуажэм «Берычэт жылэкIэ» ауэ сытми еджэу щытакъым. УзыфIэмыкIыжыну берычэтщ икIи угъурлыщ. Адыгэбзэри адыгагъэри нэхъ къыщызэтена жылэхэм ящыщ зыщ. Езы къуажэр здэщыс щIыпIэр-щэ? И хъуреягъкIэ иIэ щIыпIэ телъыджэ дахащэхэм ятеухуа хъыбархэр къыхыхьэжмэ, удимыхьэхыпэнкIэ Iэмал иIэ- къым. Абы къинэмыщIауэ, зы жыIэгъуэ къыщокIуэкI ШэрджэсымкIэ: «Къэпшэнумэ — Хьэгъундыкъуеипхъу, удэкIуэнумэ — Хьэгъундыкъуей щIалэ! Адрей ди адыгэ къуажэхэри фIым я фIыжщ, ди къуажэр езгъэфIэкIыну сыпылъкъым, ауэ, пэжыр аращи, апхуэдэ жыIэгъуэ къокIуэкI. — Литературэм узэрыхыхьа щIыкIэр дауэ, усэным гулъытэ хуозыгъэщIар сыт? — Литературэм пыщIа сыхъуныр зи фIыщIэу къэслъытэр 5-нэ классым щегъэжьауэ адыгэбзэм дыхуезыгъэджа, зи хьэдрыхэр дахэу жэнэтыр увыIэпIэ зыхуэхъун Шорэ Хьэсинщ. 7-нэ классым дыхэсу абы дигъэтхауэ щытащ изложенэ, «Сэ сызыщIэхъуэпс IэщIагъэр» фIэщыгъэр иIэу. Ди лэжьыгъэхэр щIипщытыкIа нэужь, къыкIэлъыкIуэ дерсым къыщыдгуригъэIуат хэт сыт хуэдэ щыуагъэ хилъхьами, хэт къехъулIами къемыхъулIами. Си деж къэсри, жиIащ «5» зэрысхуигъэувар икIи, зэригъэзэхуэжу, адыгэ газетым иригъэхьыну зэримурадыр. ЗэрыжиIауи, «Ленин нур» газетым куэд дэмыкIыу къытехуащ. ИужькIэ къызжиIащ еджапIэм литературэ гупжьей зэрыщригъэкIуэкIыр, абы сыкIуэмэ зэрыфIэтэмэмыр. Абдежым унэ лэжьыгъэ щхьэхуэхэр къыщыдитырт, ттхыр тхузэпкърихырт, тщIапхъэр къыджиIэрт. Апхуэдэурэ 8-нэ классыр къэзухыху екIуэкIащ литературэми нэгъуэщIынэкIэ сеплъ хъуащ, сыдихьэхащ. Ауэ, абы ипэжкIэ, нэхъыжьхэми жаIэж, сэри фIы дыдэу сощIэж, илъэсищ-плIы нэхъ сымыхъуу, лIыжьхэм усэ гукIэ сыкърагъаджэу щытащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, си къуэш нэхъыжьхэм гукIэ зрагъэщIэн хуейуэ кърата усэхэм макъкIэ къыщеджэкIэ, хуэм-хуэмурэ сэри сигу изубыдэрт. Езыхэм зрагъэщIауэ макъкIэ къыщызэхуеджэкIэ, сэри закъыкIэрызмыгъэхуу сакъыдеджэрт. Си къуэшхэм ар ягъэщIагъуэурэ къытрагъэзэжурэ усэр жызагъэIэжырт, апщIон-дэхукIэ нэхъри си гум къинэу къыщIэкIынт. Ерагъыу псэлъэн щIэзыдза сабийр апхуэдэу усэ къызэреджэр хьэблэм щагъэхъыбару къыщIэкIынти, къуажэку уэрам зэхэкIыпIэм щызэхуэс лIыжьхэм сызыбгъэдашэрти, я куэщIым сису ину усэ жызагъэIэрт. ГуфIапщIэуи ахъшэ жьгъей къыщызат щыIэт… Нобэ сыхьэрычэтыщIэу щытамэ, къежьапIэ схуэхъуар аращ жысIэнт. Школ нэужьым дэнэ сыщыIами, сыщеджами, сыщылэжьами, тхэныр зэи згъэувыIакъым. Ауэ дзэм къулыкъу щысщIэу Хьэгъундыкъуей сыкъыдэтIысхьэжа нэужьщ а Iуэхум нэхъри сыщытегушхуар. Ди къуажэгъу, усакIуэ хъарзынэ, пасэу дунейм ехыжа Иуан Щамел дызэригъэцIыхуауэ щытащ и анэ дэлъху, усакIуэшхуэ Нэхущ Мухьэмэдрэ сэрэ. Горь-кий Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр абы къызэриухрэ куэд щIатэкъым, и зыужьыгъуэ дыдэт. Мухьэмэд и теплъэкIэ мыин щхьэкIэ, икъукIэ цIыхушхуэт, адыгэлI щыпкъэт. АтIэ, ар си тхыгъэхэм хэплъа нэужь, куэдрэ къысщытхъуащ, иужькIэ щабэурэ къызжиIащ иджыри сызэгугъужын зэрыхуейр, бзэри гъащIэри нэхъ куууэ зэрызэзгъэщIапхъэр, щIэныгъи сиIэн зэрыхуейр. ИкIи си усэ Iэрамэ къыхихри, «Ленин нур» адыгэ газетым игъэкIуащ. Абы и фIыгъэкIэ си япэ усэхэм щыщ Iыхьэ дунейм къытехьащ. ИужькIэ си тхыгъэхэм гу къылъитащ адыгэ дунейм щыцIэрыIуэ усакIуэшхуэ Бемырзэ Мухьэдин. Абы сриджэри, усакIуэу къежьам усакIуэ нэс къыхэкIын папщIэ ищIапхъэм сыщIигъэдэIуащ гупсэхуу. КъызжиIащ си тхыгъэхэм яIэ ныкъусаныгъэри, къызэхъулIэ лъэныкъуэри. Мыри къыхэзгъэщыну сыхуейт: филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, академик, литературэдж цIэрыIуэ БакIуу Хъанджэрий Хьэгъундыкъуейр къелъытэ адыгэ усыгъэм и кIыщу. ЩIэныгъэлIым и псалъэхэр щIэзыгъэбыдэ еплъыкIи щыIэщ. Ди къуажэм къыдэкIащ зи цIэр ираIуэ усакIуэу пщыкIубл. — Литературэр нобэ зэрыт щытыкIэм, гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ абы игъэзащIэ къалэнхэм ятеухуауэ сыт хуэдэ еплъыкIэ уиIэ? — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ литературэм иIэжкъым япэм иIэу щыта гулъытэри къарури. Сабийр, цIыхур зэрагъасэр, гъащIэм ифIри, и мыхъумыщIэри къызэрырагъащIэр ущие закъуэкIэкъым. Мыпхуэдэу щыт, апхуэдэу щIэ жыпIэкIэ зэфIэкIыркъым. Ауэ, зэрыщытыпхъэр щапхъэу бгъэлъагъуэмэ, цIыхум ар нэхъ пкърохьэ, нэхъ зыхеубыдэ, и фIэщ мэхъу. Литературэми дегъасэ, ди гупсысэм зрегъэубгъу. Уеблэмэ нэIурыту, нэрылъагъуу, ауэ гу лъыдмытэу дызыблэкIар, тIэщIэкIар еплъыкIэщIэ щIэщыгъуэкIэ дегъэлъагъуж. ОбразхэмкIэ ди нэгу къыщIигъэхьэурэ, езы литературэм и дунейм дэ- ри дыхохьэ, цIыхур зэрыщытын хуейри, гущыкI зыщIри гукIи псэкIи зыхыдегъащIэ, фIым и телъхьэу, ем и бийуэ ди гупсысэр епсыхь. Унагъуэу, жылэу, лъэпкъыу, хэгъэгуу, къэралу ущызэкъуэткIэ, цIыхугъэр уи гъусэ пэжу гъащIэ гъуэгум урикIуэн хуейщ. А цIыхугъэм и лъабжьэр зыгъэбыдэхэм ящыщ зыщ литературэри. Литературэм иджы иIэ теплъэр щимыгъуэтами, IуэрыIуатэм арат и къалэныр. Мы зэманым щIэгъэхуэбжьауэ зызыужь технологиехэм, компьютерхэмрэ жып телефонхэмрэ дихьэхауэ, зыIэпишауэ зи зэш тезыгъэухэр егъэлеяуэ пэжыжьэ мэхъу литературэм, гъэсэныгъэ дахэм. Пэжщ, зызыужь технологиещIэхэр къэбгъэсэбэпыфу, зэман ефIакIуэм укъыкIэрымыхуу удэкIуэтэни хуейщ. Ауэ абы къикIыркъым уи цIыхугъэри, уи лъэпкъ хьэл-щэнри, уи анэдэлъхубзэри а технологиещIэхэм щIэузыхь яхуэпщI хъуну. — Уи усэхэм лъэпкъым хуэгъэза гурыгъу-гурыщIэхэр, фIылъагъуныгъэр щытепщэщ. Сыт ар къызыхэкIыр? — Лъэпкъыр зы зэман зэрыщытамрэ нобэ зэрыщытымрэ зэрызэрагъапщэр арагъэнщ. ЦIыхуцIэ зиIэм зиужьын папщIэ апхуэдиз хъугъуэфIыгъуэ къэзыгъэщIыфа, апхуэдэ тхыдэ гъуэгуанэ къызэпызычыфа адыгэм и кIуэдыжыгъуэр хэкIыпIэу къызэрыхихар къызгурыIуэн слъэкIыркъым. Ди мыгъуэри ди гъуамэри къыщежьэр аращ. Ауэ, дауэ хъуами, ди бзэр дуней псом къыщоIу, адыгэр щыпсэу дэтхэнэ къэралми яхэзагъэу, яхуэпэжу, пщIэ щаIэу къокIуэкI. А псоми уи гупсысэхэр ядохуарзэ, хэкIыпIэр усэбзэкIэ бгъэIуну ухуожьэ. КъыщохъулIи къыщомыхъулIи щыIэщ. — Лъэпкъ IуэхумкIэ къэдгъазэмэ, сыт уэ нэхъ узыгъэгузавэр, уигу къеуэр? — Лъэпкъым зыгуэр щытепсэлъыхькIэ, зи гугъу ящIыр нобэ псэу, зы бзэкIэ псалъэ, адыгэу зызыбжыж цIыхухэращ. Сэ сызэреплъымкIэ, «адыгэ» щыжытIэкIэ, абы къызэщIеубыдэ илъэс мин бжыгъэкIэ зы щIэблэм нэгъуэщI щIэблэр къыпищэурэ псэуахэри, дунейр щыIэху псэуну дызыщыгугъ, дяпэкIи къытщIэхъуэну щIэблэхэри. БлэкIам и пщIэри дымыгъэкIуэдыну, къэкIуэнуми гъащIэр педгъэщэну зи пщэрылъыр дэращ, нобэ псэухэ- ращ. ЩIэблэр нэрынэ-нэрынэу зэпхауэ кIэ зимыIэ зэманым къыдогъуэгурыкIуэ. НобэкIэ дэращ блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэу псэур. Дэ дымахэмэ — нэрынэхэр зэпычынущ, дыкъарууфIэмэ — адэкIи ди акъылыр псэунущ. Апхуэдэу щыщыткIэ, дыщыкIи дыгужьеи хъунукъым, атIэ ди фIыр дгъэбагъуэурэ, ди мыхъумыщIэр дгъэзэкIуэжурэ ипэкIэ дыкIуэтэн хуейщ, ди нэхъыжьыфIхэми къытхуащIар псыхэкIуадэ мыхъун хуэдэу. МыхъумыщIэри хъуащIари хабзэ жыпхъэм пхутегъэувэнущ. Ауэ и лъэпкъым зи гур хуэнэфым сыт пхуещIэнур? Гъашхэ, зегъэгъэпсэху, гъэжей… ИкIи къыдгурыIуэн хуейщ лъэпкъ куэду зэхэт къэралым дызэрыщыщыр. СызэреплъымкIэ, ди лъэпкъ тхыдэ уардэми дрисондэджэрыну Iэмал иIэкъым. Дэ щхьэузыхь зыкъытхуэзыщIа, дыщIэгушхуэ ди адэжьхэм дахуэфащэу дыпсэуну, я псэр дгъэтыншыну ды-хуеймэ, мамыру, дызэгурыIуэу, ди хабзэ дахэхэм дытету дыпсэупхъэщ. Бемырзэ Мухьэдин зэрыжиIауэ, гугъущ уадыгэну. Гугъуми — дахэщ, екIущ. Зыми жиIэфынукъым адыгэр нэгъуэщI лъэпкъхэр къизэууэ щытауэ е лей ярихауэ. Дауэрэ лъэщу щытами. Ауэ лъэпкъхэр къыдихьэхырт и хьэл-щэнкIэ, и хабзэ екIукIэ, и шыфэлIыфэкIэ. Напэ, цIыхугъэ, лIыгъэ, щIыхь… ахэращ ди нэхъыжьхэм я гъуазэу щытар, дэри ахэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэтхъумапхъэщ. Къэплъыхъуэращ къэбгъуэтынур. А псори щIыжысIэращи, дэ зыгуэрым дыщIеныкъуэкъуни къыщIыдэныкъуэкъуни щыIэкъым. Абы ди къару мащIэм щыщ куэдыIуэ тедгъэкIуадэу къысщохъу. Зыужьыныгъэм узэрыдефIэкIуэн Iэмалу щыIэр щIэныгъэращи, гъэхьэзырын хуейщ IэщIагъэлI IэпщIэлъапщIэхэр, щIэныгъэлI нэгъэсахэр, гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми хэзагъэ щIалэгъуалэр. Лениным и жыIауэ: «Еджэн, еджэн, иджыри зэ еджэн». А къыхуеджэныгъэр нобэ дэ къытхуэгъэзащ, ауэ Iэпэдэгъэлэл дощI. — Сытхэр ди Iэмал, сытхэр длэжьыпхъэ лъэпкъыу дыкъызэтенэжын папщIэ? — ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным теухуауэ нетIэ жысIамкIэ уи упщIэм и жэуап Iыхьэр дубзыхуа си гугъэщ. Иджыри зэ къытызогъэзэжри, хэкIыпIэ нэхъыщхьэу щыIэр щIэныгъэ зэгъэгъуэтынырщ. ЩIэуэ къежьэ технологиещIэхэри ди Iэпэгъуу зэрыщытыпхъэм шэч къытесхьэркъым. Ауэ абы къикIыркъым а Iуэхугъуэхэм къагъэхъу жьы кIэрахъуэм ди лъэпкъ хьэл-щэныр, лIыгъэр, цIыхугъэ нэсыр иредгъэхьэжьэу хьэрэкъуакIэ дедгъэхьэж хъуну. Дыкъызэтенэжын папщIэ лъэпкъ куэдым ялэжьыпхъэм нэхърэ нэхъыбэ Iуэхуу дэ къытпэщылъщ. Къэралыгъуэ щхьэхуэу псэу лъэпкъ куэдым нобэ я тхьэгъушыр ягъаджэ, я бзэр яхъумэжыну лъэкIыныгъэ псори яIэщ, къэрал политикэри я телъхьэщ. ИтIани, нэхъ хэкупсэ-лъэпкъыпсэхэр тогузэвыхь я бзэм, нэгъуэщIыбзэхэм хэшыпсыхьыжынкIэ мэшынэ. СызэреплъымкIэ, а къэралхэм апхуэдэ Iуэху къыщIагъэувар я лъэпкъыр кърамыдзэжу, я зэш трагъэуну аракъым. Дэ ди адыгэбзэм унагъуэмрэ уэрамымрэ дыщрипсэлъэну къызэрытхуэнэжар къэплъытэмэ, ди щытыкIэр гужьеигъуэщ. Ди бзэр къезыгъэлыр ди блэкIам дызэрыфIэлIыкIымрэ ди къэкIуэнум и дунейр нэхъ уэфI тщIыну дызэрыпылъымрэ арауэ си гугъэщ. Къэралым къыдит лъэкIыныгъэ псори къэдгъэсэбэпмэ, абы бзэм худиIэ лъэпкъыпсэ хущыты-кIэр хэтыжмэ, ди бзэр зыIэ-щIэдмыгъэкIын тхузэфIэкIыну гугъапIэ щыIэщ. КIэщIу жыпIэмэ, щIэблэр едгъаджэмэ, ахэр губзыгъэу гъащIэм декIуу псэумэ, ди хабзэжьхэм темызашэу дэгъуэгурыкIуэмэ, ди бзэ-ри зэрыпсэунум, ди лъэпкъри къызэрыщIэрэщIэжынум шэч къытесхьэркъым. — Увжыкъуэ, узэлэжьхэм, уи мурадхэм укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт. — Си усэхэр щызэхуэхьэса тхылъыщIэ згъэхьэзырауэ щылъщ. Иджы дыдэ нэзгъэсыжащ зы поэмэ-таурыхъ кIэщI. Мы дызэрыт зэман гугъум махуэ къэс дызыпэщIэхуэ зэгуэпыгъуэхэм, Iэмал зэриIэкIэ, гушыIэрэ ауанкIэ саподжэж. Абы къыхэкIыу нэхъыбэу сызэлэ-жьыр прозэуи усэуи стхы ауанхэмрэ гушыIэхэмрэщ. Си гукъеуэр жызоIэ, си гур согъэтIыс, къеджэ цIыхухэми гукъыдэж язот. — Уи хъуэпсапIэхэм я гугъу къытхуэпщIамэ хъунт. — Сэ сызэреплъымкIэ, мы дызытет дунейм сыт хуэдиз цIыху къытехъуэми, псори техуэнущ икIи хуэгъэшхэнущ… ЗэгурыIуэмэ, пщIэ зэхуащIмэ, пцIырэ хьилагъэрэ я кум къыдэмыхъуэмэ. Ауэ цIыхуитI къудей тетыфынукъым, цIыхугъэ яку дэмылъмэ. Ди лъэпкъ хабзэжьхэм цIыхугъэр, пэжыгъэр, напэр апхуэдизкIэ ягъэлъапIэри, си фIэщ хъуркъым а ди хабзэжьхэм цIыхуцIэ зиIэр зэгуэр хуэмыкIуэжыну. ЦIыхугъэ лъагэмрэ мамыр гъащIэмрэ нэхърэ нэхъ лъапIэ щыIэу сщIэркъыми, ар дунейм щытепщэ хъунырщ си хъуэпсапIэр. Епсэлъар НафIэдз Мухьэмэдщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100421.txt" }
Гъуэгугъэлъагъуэ тхуэхъуат Илъэс 92-м иту, иджыблагъэ дунейм ехыжащ Ломоносовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетым и декану, щIыхь зиIэ и президенту илъэс куэдкIэ щыта Засурский Ясен Николай и къуэр. МКъУ-м дыщыщеджа илъэсхэм нэхъ гъунэгъуу тцIыхуауэ, гъуэгугъэлъагъуи тхуэхъуауэ щыта щIэныгъэлI цIэрыIуэр, IэщIагъэлI гъуэзэджэр, егъэджакIуэ Iэзэр, цIыху щыпкъэр псалъэ гуапэкIэ дигу къэдгъэкIыжыныр тфIэигъуэщ. ГъащIэ хьэлэмэт икIи купщIафIэ къигъэщIащ Засурскэм. Ар 1929 гъэм и жэпуэгъуэм и 29-м Москва къалэм къыщалъхуащ. Еджэным хуэнэхъуеиншэу зэрысабийрэ щыта щIалэ цIыкIум курыт школым и программэр щIэхыу икIи фIы дыдэу къищтащ. Бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэр къалъытэурэ, Ясен мызэ-мытIэу класс нэхъыжьхэм хагъэтIысхьащ, илъэситI программэр зы гъэ еджэгъуэм кърихьэлIэурэ. И ныбжьыр илъэс 14 щыхъум ирихьэлIэу абы курыт школыр фIы дыдэу къиухакIэт. ЗэрыщIэтIысхьэ къэрал экзаменхэми ехъулIэныгъэкIэ пэлъэщауэ, 1944 гъэм ар и студентт Торез Морис и цIэр зэрихьэу Москва дэт хамэ къэралыбзэхэмкIэ къэрал институтым (иджы Москва къэрал лингвистикэ университет). Зэрихабзэу, еджэныр хъарзынэу зэфIигъэкIри, Ясен МКъУ-м и филологие факультетым и аспирантурэми щIэтIысхьащ. 1951 гъэм абы игъэхьэзыракIэт и кандидат диссертацэр икIи ар ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ. «Иностранная литература» тхылъ тедзапIэм илъэситIкIэ щыIауэ, Засурскэм 1953 гъэм лэжьыгъэм щыпищащ МКъУ-м журналистикэмкIэ и факультетым и егъэджакIуэ нэхъыжьу, иужькIэ кафедрэм и доценту. Абдеж къыщыщIидзащ Ясен Николай и къуэм журналистикэм щикIуа гъуэгуанэ кIыхьым икIи купщIафIэм. 1955 гъэм Засурскэм къызэригъэпэщащ икIи и пашэ хъуащ журфакым хамэ къэрал журналистикэмрэ литературэмкIэ и кафедрэр. ЗэфIэкI лъагэ къуэлъу гу зылъата щIалэщIэр илъэс дэкIри ягъэуващ факультетым и япэ декану щы-та Худяков Евгений и къуэдзэу. Илъэс зыхыблкIэ апхуэдэу лэжьауэ, 1964 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Ясен Николай и къуэр хахащ журналистикэмкIэ факультетым и декану. IэнатIэм щызэфIах Iуэхугъуэ куэдым фIыуэ щыгъуазэ хъуа IэщIагъэлI Iэзэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ ахъырзэманым мурадыщIэхэмрэ жэрдэмыщIэхэмрэ и куэдт. И Iуэху еплъыкIэхэр абы щиIуэтащ пщIэ хуащIу щIэх-щIэхыурэ зрагъэблагъэ зэхуэс инхэм я утыкушхуэхэм. 1966 гъэм къыщыщIэдзауэ ар щытащ СССР-м, иужькIэ УФ-м журналистикэ IэщIагъэм щыхурагъаджэ къэрал университетхэм я ЩIэныгъэ-методикэ советым и унафэщIу. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм и пэщIэдзэм къыщыщIэдзауэ лэжьащ УФ-м и радио-теле IэнатIэхэм лицензэ етынымкIэ къэрал комиссэм и унафэщIу. СССР-м, УФ-м я Журналистхэм, ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм, ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ коммуникацэмрэ джынымкIэ дунейпсо ассоциацэм хэтт, Масс-медиам къэхутэныгъэхэр щегъэкIуэкIынымкIэ лъэпкъ ассоциацэм и дунейпсо зэгухьэныгъэм и унафэщIт Засурскэр. ПщIэ лъагэ зиIэ еджагъэшхуэр журфакым и щIэныгъэ, диссертацэ советхэм я пашэт. Ар и президентт МКъУ-м журналистикэмкIэ и факультетыр къэзыухахэм я зэгухьэныгъэми. Студентхэм пыщIэныгъэшхуэ дапщэщи яхуиIэу лэжьащ Засурскэр. Ди лъахэгъухэм ящыщу Ясен и Iуэху зехьэкIэр япэу зыгъэунэхуар 1955 гъэм журфакыр къэзыухауэ щыта журналист цIэрыIуэ Белгъэрокъуэ Евгениещ. КъыкIэлъыкIуэ илъэс зэхуэмыдэхэм МКъУ-м журналистикэмкIэ и факультетыр Засурскэм и нэIэм щIэту къаухащ ди республикэм икIа цIыху 20-м нэсым. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, АфIэунэ Рае, Мэлбахъуэ Елбэрд, Хьэлышх Иннэ, БжэныкIэ Мухьэб, Мэшыкъуэ Тэзал, Бещтокъуэ Хьэбас, Ащнокъуэ Фозэ, Бэрбэч Борис, ТIымыжь Хьэмыщэ, Жыласэ Заурбэч, Жыласэ Маритэ, КIэмпIарэ Галинэ, Къардэн Маринэ, Сокъур Риммэ, Бэлагъы Любэ, Мэлыхъуэ Къазбэч сымэ, нэгъуэщIхэри. Засурскэм иригъэджа, ар унэтIакIуэрэ гъуэгугъэлъагъуэрэ зыхуэхъуа дэ гупым яхэткъым зи IэщIагъэм хуэмыIэижь, гъащIэм увыпIэ екIу щызымыгъуэта, зи лэжьыгъэфIым къыпэкIуэ дамыгъэ лъапIэхэмрэ цIэ лъагэхэмрэ зыхуамыгъэфэща. А псоми и фIыщIэ ин хэлъщ ди факультетым щекIуэкIа егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр къызыхуэтыншэу зэтезыублэу щыта ди деканым. ГъэщIэгъуэнырати, Ясен и хьэлт зи пашэ факультетым щIэтIысхьэ дэтхэнэ студентми щхьэхуэу епсалъэу, зригъэцIыхуу. СощIэж: МКъУ-м и студент дыщыхъуагъащIэм щыгъуэ и пэшым дэри дригъэблагъэри нэхъ гъунэгъуу дызригъэцIыхуат икIи хуабжьу щыгуфIыкIат еджэным дыщиIэ ехъулIэныгъэхэм. «Хуабжьу си гуапэщ КъБКъУ-м и студент нэхъыфIхэм еджэным МКъУ-м зэрыщыпащэр. Фи зэфIэкIхэм хэвгъэхъуэну, еджэным дяпэ-кIи фыщыпэрытыну сыфщогугъ», — къыджиIат абы щыгъуэ ди деканым. А псалъэхэр тщымыгъупщэу, дыздикIа лъахэми и цIэр фIыкIэ зэрыдгъэIуным дыхущIэкъуу етхьэкIащ студент илъэсхэр. ЖыпIэнурамэ, (фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу) си щхьэгъусэ Заурбэч гупым и комсомол зэгухьэныгъэм и пашэу щытащ, егъэджэныгъэм щиIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ къыхуагъэфэщат ВЛКСМ-м и ЦК-м къыбгъэдэкI дамыгъэ лъапIэр, щIыхь тхылъи щIыгъуу. Сэри, сессиехэр «фIы дыдэ» защIэу зэрыстым папщIэ МКъУ-м мызэ-мытIэу къыщысхьащ нэхъыфIу еджэхэм хуагъэуву щыта стипендие лъагэр. Дэ ди закъуэ къыткIэлъыплъ, ди еджэкIэр хэхауэ къихутэу фIэкIа умыщIэу, Засурскэр къыдэпсэлъылIэрт, щытхъу псалъэхэр къыджиIэрт, нэхъри дытригъэгушхуэу, лъагапIэщIэхэм дыхуиунэтIу. Ди щыIэкIэ-псэукIэми къыщIэупщIэрт, дыкъызэрыфIэIуэхур къатщIэу. Зэкурсэгъухэр иужькIэ дыщызэдэуэршэркIэ, наIуэ хъурт студентхэм ящыщ куэдым деканым къыбгъэдэкI апхуэдэ гулъытэрэ гуапагъэрэ зэралъэIэсыр. ЦIыху хэтыкIэ екIу зыбгъэдэлъа ди деканым дыфIэлIыкIырт, фIыуэ демыджэу дыкъыщIэхунуи дыщыукIытэрт, апхуэдизу абы пщIэ хуэтщIырти. АбыкIи Засурскэр куэдым ягу къызэринар хьэкъщ. ИригъэкIуэкI апхуэдэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэм, и пщэрылъ къалэнхэм япыщIа къызэгъэпэщыныгъэ Iуэхухэм къадэкIуэу, Засурскэм зэи зэпигъэуакъым и щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэри. И къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ тхыгъэрэ тхылъ щхьэхуэу 300-м щIигъу. Абыхэм яхэлъщ монографиехэри, зэреджэ тхылъхэри, методикэмкIэ чэнджэщ щхьэпэхэр зэрытхэри, нэгъуэщIхэри. Лъэпкъ журналистикэм къикIуа гъуэгуанэм щыгъуазэ IэщIагъэлI нэсым и тхылъ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ «История печати. Антология», «Система средств информации России», «Искушение свободой. Российская журналистика», «Современные зарубежные СМИ», нэгъуэщIхэри. Ясен Николай и къуэм и къалэмыпэм къыпыкIа дэтхэнэ лэжьыгъэми ноби пщIэшхуэ щиIэщ щIэныгъэм и дунейм. Апхуэдэ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэдэлъ Засурский Ясен къэралым къыбгъэдэкI гулъытэшхуи игъуэтащ. Абы кърата дамыгъэ лъапIэхэм ящыщщ «ЩIыхьым и дамыгъэ» (тIэунейрэ), «ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь», «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ», «Зэныбжьэгъугъэ» орденхэр, нэгъуэщIхэри. И щIыхь, фIыщIэ тхылъхэм къахэщырт 2011 гъэм къыхуагъэфэщауэ щыта «УФ-м и Президентым къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр». Апхуэдэу Засурскэм иIэт хамэ къэрал зыбжанэм я Iэтащхьэхэм, абыхэм щылажьэ щIэныгъэ IэнатIэхэм къабгъэдэкIа орденхэр, фIыщIэ тхылъхэр, а щIыпIэхэм папщIэ IэщIагъэлI куэд МКъУ-М и журфакым къызыхуэтыншэу зэрыщагъэзырым къыпэкIуэу. Ясен Николай и къуэр мызэ-мытIэу хъуащ саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэм я лауреати. МКъУ-м щIыхь зиIэ и профессорым фIащащ «Урысей журналистикэм и легендэ» цIэр. Засурскэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ теухуа «Человек-факультет» тхылъыр 2004 гъэм къыдигъэкIащ «Журналист» тхылъ тедзапIэм. Зи гугъу тщIа дэтхэнэ гулъытэри хуэфащэ дыдэт IэщIагъэлI щыпкъэм, цIыхугъэ лъагэрэ зэхэщIыкI куурэ зыбгъэдэлъа хэкупсэм. Засурский Ясен Николай и къуэм, лъэпкъ еджагъэшхуэм, щIэныгъэлI Iэзэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ ахъырзэманым, и фэеплъ нэхур, дауи, куэдрэ ящыгъупщэнукъым къыдэлэжьахэми, ныбжьэгъуу иIахэми, зыцIыхуу щыта куэдми. Ди декан хьэлэмэтым дэтлъэгъуа цIыхугъэшхуэр, набдзэгубдзаплъагъэр, хэлъа нэгъуэщI хьэл-щэн дахэхэр ди гум илъынущ абы иригъэджахэми. ЖЫЛАСЭ Маритэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100424.txt" }
ШыщхьэуIур иухыху къыхэтхыкIыр екIуэкIынущ Ди газетым зэрытетащи, мы мазэм и пэм щIидзауэ Урысей псом щокIуэкI мэкъумэш IэнатIэм и къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIур. Ар къызэгъэпэщауэ щокIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми. Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэ зэрыжиIамкIэ, къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIур иджы япэу къызэрагъэпэщауэ аращ. Абы и щхьэусыгъуэр илъэсипщIым зэ екIуэкI къыхэтхыкIыныгъэм и пIалъэр зэрыкIыхьым къыхэкIыу, илъэситху къэс апхуэдэ зы къэпщытэныгъэ пщIыныр нэхъ щхьэпэу къызэралъытарщ. Мэкъумэш къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIум и къалэн нэхъыщхьэр зи гугъу тщIы IэнатIэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэр къэхутэнырщ, ар иужькIэ сэбэп мэхъу мэкъумэш IэнатIэм зэрызрагъэужьыну жыпхъэхэр щаубзыхукIэ. — Дэ иджыпсту едгъэкIуэкI лэжьыгъэм мэкъумэш IэнатIэр, къанэ щымыIэу, къызэщIеубыдэ. Къэтпщытэнущ мэкъумэш организацэхэр, фермер IуэхущIапIэхэр, уней хьэрычэтыщIэхэр, хадэхэр, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI щащIэ губгъуэхэр, нэгъуэщIхэри, — жиIащ Гъащтэ Аурикэ. — КъыхэтхыкIыныгъэр къыдэхъулIэнрэ къыдэмыхъулIэнрэ зэлъытар къуажэдэсхэр, лэжьакIуэхэр къызэрыдбгъэдэт щыкIэрщ. Дэ мылъкур къэзыбж, къэзыпщытэ къулыкъущIапIэхэм дащыщкъым, къыджаIэ бжыгъэри къытедгъэзэжу къэтпщытэжынукъым. Дэ ди къалэныр цIыхухэм яIэу къагъэлъагъуэр ттхынращ. Мы къыхэтхыкIыныгъэм цIыхухэр щIыщышынэни щIригузэвэни щыIэкъым. «Росстат»-м зэхуихьэс хъыбархэр зы къэрал IэнатIи иритыркъым, республикэм щыщыIэ щытыкIэр къращIэу езыхэм яIэ бжыгъэу аращ. УнафэщIым зэрыжиIамкIэ, республикэм и мэкъумэш IэнатIэм еужьэрэкIыу зеужь, мис ар IупщIу къигъэлъэгъуэн хуейщ къыхэтхыкIым. ШыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ республикэм и район псоми щолажьэ «Северо-Кавказстат»-м и лIыкIуэхэр. ЦIыху 240-м унащхьэ чэзууэ республикэр къызэхакIухьынущ икIи щIы, былым, хадэ, губгъуэ щIапIэу яIэр ятхынущ. Ахэр зэхуэзыхьэс цIыхухэм планшет яIыгъщ, лэжьыгъэр ящигъэпсынщIэу, зэманыр къахудигъахуэу, езыхэр къызэрыпцIыху фащэкIэ хуэпащ, «Роспотребнадзор»-м къигъэув мардэхэр ягъэзащIэ. Электроннэу зэхуахьэса бжыгъэхэр махуипщIым зэ флешкэм тратхэри, щылажьэ щIыналъэм щыIэ лIыкIуэм ират. КъыхэтхыкIым щызэхуахьэс хъыбархэмрэ бжыгъэхэмрэ зратхэм цIэи унэцIи теткъым, ахэр нэгъуэщI зы IуэхущIапIи яIэрыхьэркъым. Гъащтэ Аурикэ къызэрыхигъэщамкIэ, мыпхуэдэ къыхэтхыкIхэр дяпэкIэ нэхъ тыншу зэфIагъэкI хъунущ, «Росстат»-м дронхэр къигъэсэбэпынущи. Мы гъэми, къыхэтхыкI цIыкIум ирагъэхьэлIауэ, Урысейм и щIыналъэ зыбжанэм а Iэмалыр къыщагъэсэбэп. Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэм ипкъ иткIэ, къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIум сыт и лъэныкъуэкIи хуэхьэзыру пэрыхьащ «Северо-Кавказстат»-м и къудамэу КъБР-м щыIэр. ЩIыналъэ 13-м къэпщытакIуэхэр къыщыхахащ, ахэр я къалэным хуагъэсащ. Абыхэм мы мазэм къапщытэн хуейщ уней хадэу 114566-рэ, фейдэ къегъэщIыным емыпха цIыхубэ зэгухьэныгъэу 140-рэ, мэкъумэшыщIэ-фермер IуэхущIапIэу 4940-рэ, мэкъумэш организацэу 1753-рэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, къыхэзытхыкI зы цIыхум и пщэ къыдохуэ объект 480-рэ, ар ику иту махуэм 16 мэхъу. ЦIыху 240-м къыхатхыкIар инструктор 40-м ябжыжынущ. Операторхэри абы хэтыжмэ, къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIур цIыху 308-м зэфIагъэкIынущ. КъыхэзытхыкIхэм мы мазэм зэрылэжьам папщIэ улахуэу сом мин 18 иратынущ, инструкторхэм — сом 18.500-рэ. Мэкъумэш IэнатIэм и къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIур шыщхьэуIум и 30 пщIондэ екIуэкIынущ. КъыхатхыкIахэр фокIадэ мазэм инструкторхэм ябжыжынущ, кърикIуахэр 2021 гъэм и кIэм, 2022 гъэм утыку кърахьэнущ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100427.txt" }
Курыт еджапIэм къыщежьа олимп чемпионыгъэ Нобэ Физкультурникым и махуэщ. Абы ирихьэлIэу Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимиррэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Iэ щIадзащ физкультурэмрэ спортымрэ зи цIэр фIыкIэ щыIуахэр зэрагъэлъапIэ унафэхэм. Токио щекIуэкIа XXXII Гъэмахуэ Олимп джэгухэм къыщыхэжаныкIахэм къэрал дамыгъэхэр етыным теухуа указым Президентым щигъэпэжахэм ящыщщ «Зэныбжьэгъугъэм и орденыр» зыхуагъэфэща ди лъахэгъу цIэрыIуэ Ласицкене (Кучинэ) Марие. Лъагэу дэлъеинымкIэ цIыхубзхэм я зэпеуэм ар Японием и къалащхьэм чемпион щыхъуащ. Указым къызэрыщыхэщымкIэ, дамыгъэ лъапIэр абы къратащ «хэкум спортым зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам, ехъулIэныгъэ инхэр зэрызригъэгъуэтам, Токио (Японие) щыIа XXXII Олимпиадэ-2020-м текIуэныгъэм ерыщу зэрыщыхущIэкъуам, быдагърэ ерыщагърэ къызэрыщигъэлъэгъуам къыхэкIыу». Иджыпсту дызэрыгушхуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа икIи зыщызыгъэса олимп чемпионкэ, щэнейрэ дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щытекIуа Ласицкене Марие здынэса лъагапIэ инхэм къежьапIэ хуэхъуар Прохладнэ дэт курыт еджапIэхэм ящыщ зыщ. ФизкультурэмкIэ и егъэджакIуэу абы щылажьэ Габрилян Геннадий сабийхэм ядригъэкIуэкI урокхэм псынщIэу гу щылъитащ адрейхэм и инагъкIи зэфIэкIкIи къахэщ хъыджэбз псыгъуэ цIыкIум. КъыщызэдэжэкIи, лъагэу щыдэлъейкIи, нэгъуэщI дерсхэмкIи ар псоми фIыкIэ къахэщырт. Нэрылъагъут Марие спорт зэфIэкI лъагэ къызэрыкъуэкIыфынур. Абы папщIэ ерыщу дэлэжьэн хуейт. А Iуэхугъуэ мытыншыр и пщэ дилъхьэжащ физкультурэмкIэ егъэджакIуэ къызэрыгуэкI Габрилян Геннадий икIи, зэман дэкIри, щыгуфIыкIыжащ: тренерми абы и гъэсэнми дунейпсо цIэрыIуагъ ягъуэтащ. Ди къэралым нобэ щагъэлъапIэ Физкультурникым и махуэр ехьэлIащ цIыху мелуанхэм. Школ спортзалхэмрэ секцэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэщ къежьапIэ яхуэхъур дэтхэнэ олимп чемпионми дунейпсо рекодхэр зыгъэувми. Нобэрей ныбжьыщIэхэращ пщэдей къэралым и щIыхьыр зыIэтынур, Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудрэн Беслъэн, Махуэ Билал, Ласицкене Марие, адрей ди лъахэгъу цIэрыIуэхэми яхуэдэу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100431.txt" }
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Сату-промышленнэ палатэм и журналым интервью иритащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек драгъэкIуэкIа интервью къытрадзащ Урысейм и Транспорым и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ УФ-м и Сату-промышленнэ палатэмрэ къыдагъэкI «Дороги и транспорт» журналым бадзэуэгъуэм дунейм къытехьа и зи чэзу номерым. КIуэкIуэ Казбек тхыгъэм щытопсэлъыхь республикэм и зыгъэпсэхупIэхэр фейдэ къату гъэлэжьэным хуэгъэзауэ къагъэсэбэп хэкIыпIэхэм, транспорт инфраструктурэр зэрызэтеухуамрэ къэрал кIуэцI туризмэм зэрызрагъэужьымрэ. Псом япэрауэ, Iэтащхьэм и гугъу ищIащ зи бгы лъагэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ къежэхыпIэхэмрэ зегъэужьыныр къэрал къалэну щыгъэува Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и Iуэху абыкIэ зыIутым. Iуащхьэмахуэ лъапэ щагъэувакIэщ Урысейм щынэхъ лъагэ дыдэ кIапсэ гъуэгур, бгым къызэрежэхыну гъуэгущIэхэр ящI, щIыналъэм зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэр иужьрей илъэсихым къриубыдэу хуэдитIым щIигъукIэ нэхъыбэ хъуащ. «Мы зэманым щIадзауэ иджыри кIапсэ гъуэгуитI яухуэ. Абыхэм лыжэрэ сноубордкIэ бгым къежэхынухэр иридэкIынущ метр 3515-рэ хъу лъагапIэм нэс. Ауэ дэ Iуащхьэмахуэ лъапэ зедгъэужь къудейкIэ Iуэхур зэфIэдгъэкIыркъым. Туризмэм зегъэужьыным къызэщIыдогъэубыдэ Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэри», — къыхигъэщащ КIуэкIуэм. Абыхэм нэмыщI, республикэм и Iэтащхьэм и интервьюм щытепсэлъыхьащ къалащхьэм и аэропортым зэхъуэкIыныгъэхэр щегъэкIуэкIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэми. Абы папщIэ зэгурыIуэныгъэ иращIылIащ «Новапорт» холдингым, апхуэдэуи «Шынагъуэншэ, фIагъ лъаги зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым хыхьэу зэфIагъэкI лэжьыгъэхэми къытеувыIащ. КIуэкIуэм зэрыжиIамкIэ, республикэм зыхуей хуэзэу щызэрагъэпэщыжащ гъуэгу километр 230-рэ, мыбдежым гулъытэ хэха щыхуащI шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным: гъуэгухэр тэмэму къэгъэнэхуным, Iуфэхэм къэухьхэр щыгъэувыным, лъэс зэпрыкIыпIэхэр зэIузэпэщ щIынымрэ гъуэгум къыщекIуэкI псори зытхыну Iэмэпсымэхэр гъэувынымрэ. ЩIыналъэ проектхэр гъэзэщIэным щIыналъэхэр зэрехъулIэр щызэпалъытым наIуэ къызэрыхъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр гъуэгухэр ухуэнымкIэ къэралым щынэхъыфI щIыналъитхум ящыщу къалъытащ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100434.txt" }
Москва къикIа IэщIагъэлIхэм IэнатIэр къапщытэ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм РадиологиемкIэ и лъэпкъ медицинэ къэхутакIуэ центрым и IэщIагъэлI гуп мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ.КъэкIуахэм я къалэн нэхъыщхьэу щытар республикэм лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм хуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэм и фIагъыр къэпщытэнымрэ а унэтIыныгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр убзыхунымрэт. ЗэIущIэр екIуэкIащ «Лъэпкъ медицинэ къэхутакIуэ центрхэм зегъэужьын, иджырей медицинэ технологиехэр IэнатIэм къыщыгъэсэбэпын» федеральнэ проектым хэту. ХьэщIэхэм къыхагъэщащ республикэм и онкологие IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэ хъарзынэхэр зэрыщыIэр, «Лышх узыфэхэм ебэнын» федеральнэ проектым къахуигъэувхэр зэрагъэзащIэм ипкъ иткIэ, узыфэр и чэзум къызэрахутэм и фIыгъэкIэ, илъэсым къриубыдэу абы илIыкIхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар. Урысейм и къалащхьэм къикIа IэщIагъэлIхэм жаIащ Нарткъалэ дэт ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщым Амбулаторнэу онкологие дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт и центрыр къэралым и адрей щIыналъэхэм щыIэ апхуэдэ IуэхущIапIэхэм зэрефIэкIыр. Абыхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, центрыр зыхуей IэмэпсымэхэмкIэ нэсу къызэгъэпэщащ, Iуэхум фIыуэ хэзыщIэкI IэщIагъэлIхэр яIэщ, сымаджэхэм хуащIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр къэгъэлъэгъуауэ щыIэ клиникэ чэнджэщхэм хуокIуэ. Лышх узыфэхэм щеIэзэ республикэ диспансерым бзийкIэ зэреIэзэ терапиемкIэ и къудамэм щекIуэкI лэжьыгъэми арэзы къищIащ. «Мы IэнатIэм Iуэхур хъарзынэу къыщызэгъэпэщащ, радиотерапевт, радиолог, медицинэ физик IэщIагъэлIхэр я щIэныгъэкIи, я зэфIэкIкIи дагъуэншэщ. Апхуэдэу гу лъыттащ онкохирургие къудамэр фIагъ лъагэ зиIэ технологие IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщам. Абы ипкъ иткIэ сымаджэхэм зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэр нэгъуэщI щIыналъэхэм къыщамылъыхъуэу мыбдежи щагъуэтыфынущ», — жаIащ хьэщIэхэм. ЗэIущIэм хэтахэм къыхагъэщащ щIыналъэхэм щыIэ сымаджэщхэмрэ федеральнэ медицинэ центрхэмрэ клиникэхэмрэ зэпыщIэныгъэ быдэхэр яку дэлъын зэрыхуейр, абы и лъэныкъуэкIэ телемедицинэ чэнджэщхэри хэкIыпIэфIу зэрыщытыр къагъэлъэгъуащ. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100437.txt" }
«Шэрджэс дерби»-2021 Адыгэшыр хъумэнымкIэ фондым хъыбар зэбгритыкIащ 2021 гъэм и «Шэрджэс дерби» шы гъэунэхуныгъэр мы гъэм жэпуэгъуэм и 1-м зэрекIуэкIынумкIэ. Шы гъэхъунымкIэ урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтымрэ (ВНИИК) Адыгэшыр хъумэнымкIэ фондымрэ иджы етIуанэу зэхаублэ «Шэрджэс дерби» цIэр зезыхьэ шыгъажэ кIыхь зэпеуэр. Зэхьэзэхуэ теплъэм иту къызэрагъэпэщу щытми, абы и мыхьэнэр адыгэшым и зэфIэкIыр здынэсыр къэхутауэ адэкIэ зэрелэжьынум епха лэжьыгъэхэм яужь ихьэнырщ. 2021 гъэм и «Шэрджэс дербир» Нартан щызэхэтынущ жэпуэгъуэм и 1 — 10 махуэхэм. Зэпеуэм хыхьэну зи мурадхэм папщIэ ар зэрекIуэкIыну щIыкIэм Адыгэшыр хъумэнымкIэ фондым щыгъуазэ дещI: МахуипщIым и кIуэцIкIэ махуэ къэс сыхьэт 12-м къриубыдэу зэпачынущ нэхъ мащIэ дыдэу километри 100. Километр 25-рэ къакIуху, шы къэс Iэщ дохутырхэр къеплъынущ. Шум гъуэгуанэр пищэну хуит щащIынур шым и гур зы дакъикъэм 64-рэ къеуэу зэрыхъужам Iэщ дохутырхэр щыхьэт техъуа нэужьщ. Зэпеуэм хэтыну хуит ящIыр зи ныбжьыр илъэси 7-м фIэкIа адыгэ шыбзхэмрэ хакIуэхэмрэщ (алащэхэр хэмыту). Шымрэ шумрэ дэтхэнэми я хьэлъагъыр килограмм 75-м нэхърэ мынэхъ мащIэу, 90-м нэхърэ мынэхъыбэу щытын хуейщ. Зэпеуэм и мылъку саугъэтыр сом мин 500-м нос. Ар гъуэгуанэм и кIэм нэсахэм зэхуэдэу трагуэшэжынущ. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100439.txt" }
Армырамэ емыкIу къащIынут «Спартак-Налшык» (Налшык) — «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) — 2:1 (1:0). Налшык. «Спартак» стадион. ШыщхьэуIум и 15-м. ЦIыхуи 150-рэ еплъащ. Судьяхэр: Матвеев (Троицк), Гаджигусейнов (Мэхъэчкъалэ), Бахус (Краснодар). «Спартак-Налшык»: Антипов, Сындыку, Шумахуэ З., Ольмезов, Шумахуэ И., Мэкъуауэ, Дэхъу (КIэдыкIуей, 60), Бенедык (Бахъсэнокъуэ, 85), Къумыкъу И., Багъэтыр (Бажэ, 71), Ашуев (Черткоев, 60). «ЕсэнтIыгу»: Кулик, Айвазянц (Шамин, 46), Бурков (Лаврентьев, 46), Дзасохов (Хачатурян, 81), Дьяконов, Магомедов, Блиадзе, Карапетян (Миндадзе, 46), Дзиов, Бацэ (Моргоев, 86), Яськов. Топхэр дагъэкIащ: Къумыкъу И., 45+1 (1:0). Бацэ, 48 (1:1). Бажэ, 90-пенальтикIэ (2:1). Дагъуэ къыхуащIащ: Дзиовым, Багъэтырым, КIэдыкIуейм, Шаминым. Вэсэмахуэ Налшык щызэхуэзат Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2021 — 2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ джэгугъуищми текIуэныгъэм и IэфIагъыр щызыхэзымыщIа ди щIалэхэмрэ псоми къыщыхагъэщIа «ЕсэнтIыгумрэ». Абы къыхэкIыу я тренер нэхъыщхьэ Заздравных трагъэкIарэ и пIэкIэ зыри ямыгъэувауэ хьэщIэхэр къэкIуат. Къыпщыхъунут «Спартак-Налшыкым» тыншу япэ текIуэныгъэр зыIэригъэхьэну, нэхъапэкIэ щыIа зэIущIэхэм ар ЕсэнтIыгум и командэм сыт щыгъуи ефIэкIыу зэрыщытари я щытыкIэ гугъум хэплъхьэжмэ. АрщхьэкIэ, ерагъкIэщ очкоищыр зэрызыIэригъэхьар. Пэжщ, хэгъэрейхэр ебгъэрыкIуэ зэпыту джэгур екIуэкIащ. Iэмал гъуэзэджэ куэди къахукъуэкIат топ дагъэкIыну. Къапщтэмэ, Багъэтыр Альберт штрафнойр игъэзэщIа иужькIэ, хьэщIэхэр къезыгъэлар гъуэм и пкъоращ. Бенедык Данили щхьэкIэ зэуа топым «ЕсэнтIыгум» и гъуащхьэтетыр зэрыпэлъэщар къэщIэгъуейщ. «Спартак-Налшыкым» бжыгъэр къыщызэIуихыфар джэгум и япэ Iыхьэм къыщIагъуа дакъикъэращ. Угловой къыхата иужькIэ Ашуев Магомед топыр щхьэкIэ гъуэм нэхъ пэгъунэгъуж ищIащ икIи, абы япэу нэса Къумыкъу Ислъам, ар гъуащхьэтетым щхьэпридзащ. Бжыгъэр къызэIуахарэ я лъэр жан хъуауэ загъэпсэхуну налшыкдэсхэр джэгупIэ губгъуэм икIащ. Къызэрихьэжу я гукъыдэжыр къызэпиудащ иджыблагъэ ди командэм и гъуащхьауэ нэхъыфIу щыта Бацэ Къантемыр. «Спартак-Налшыкыр» къыщыхуэмеижым ар гъунэгъу ЕсэнтIыгум Iэпхъуащ икIи и зэфIэкIыр лъагэу къызэрынэжыр ди тренерхэм иджыри зэ наIуэ ящищIащ. Гъуащхьэтет Антипов Антон гъуэм къызэрыдэкIуэтыкIар къилъагъури, абы топыр Iэзэу блигъэкIащ. Иджыблагъэ зыхэта гупым топ зэрыхудигъэкIам Къантемыр щыгуфIыкIыщакъым икIи и зыIыгъыкIэмкIэ ар къигъэлъэгъуащ. АдэкIэ «Спартак-Налшыкым» псори щIэрыщIэу къыщIидзэжын хуей хъуащ. ЕмыкIут уи стадионым щыхыумыгъэщIэфыну пэщIэдзэ джэгугъуищми бжыгъэшхуэ защIэкIэ щыфIахьауэ зэхьэзэхуэм иужь дыдэ увыпIэр щызыIыгъ командэр. А напэтехым налшыкдэсхэр къизышар зэIущIэм и кIэухым кърагъэхьа КIэдыкIуей Хьэкимрэ Бажэ Амиррэщ. Джэгум хухаха зэманыр щиух дыдэм зым пенальти къилэжьащ, адрейм гъуэзэджэу ар игъэзэщIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, гугъуехьышхуэ пылъу ди щIалэхэм япэ текIуэныгъэр щызыIэрагъэхьащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым иджыблагъэ щыщIэзыдза зи чэзу зэхьэзэхуэм. АдэкIэ нэхъ тынш хъуну къыщIэкIынщ. Иджы щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и зи чэзу джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм: «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) — «Динамо» (Ставрополь) — 2:1, «Чайка» (Песчанокопскэ) — «Черноморец» (Новороссийск) — 1:0, «ТIуапсы» (ТIуапсы) — «Алания-2» (Владикавказ) — 3:1, «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — 2:0, «Форте» (Таганрог) — «Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — 1:1, «Дружба» (Мейкъуапэ) — СКА (Дон Iус Ростов) — 1:4. «Кубань-Холдинг» (Павловск) — «Ротор-2» (Волгоград) зэIущIэр ягъэIэпхъуащ. КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» пщэдей, шыщхьэуIум и 18-м, иригъэкIуэкIынущ. Прогрессым ди щIалэхэр щаIущIынущ абы и «Биолог-Новокубанск»-м. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100442.txt" }
Макъамэр псэм и джэрпэджэжщ ЗыхэпсэукIыр макъамэщ, и къарур лъэпкъырщ, зыгъэкIуатэр гупсысэщ, зыпсыхьыр гуапагъэщ, зэхэплъхьэжмэ — насыпщ! И дунейр мыпхуэдэу къытщыхъуащ ди псэлъэгъум — Къэбэрдей—Балъкъэр къэрал университетым и «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым макъамэмкIэ и гъэсакIуэ, «Джэрпэджэж» уэрэджыIакIуэ гупым хэт Къул Дайанэ. Гущэкъу уэрэдкIэ къыщIэздзащ — Си адэ-анэм зэрыжаIэжымкIэ, мазих сызэрыхъу лъандэрэ къызош макъамэ. Си анэм къызжиIэу щыта гущэкъу уэрэдыр си гум изубыдати, си жеин къыщыкIуахэм деж, сэри а макъамэмкIэ закъезгъащIэрт. Илъэсищ сыхъуу япэу утыку сихьэри сабий уэрэд цIыкIу згъэзэщIауэ щытащ. Абдеж щIэздзэри, зэпеуэхэм сыхэтащ, школым щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм уэрэд щыжысIащ, сыкъыщыфащ. ИтIанэ, илъэсипщI сыщыхъум, си зэпеуэ хэтыныр зэуэ зэпыуащ. «Хуиту джэгуу, еджэу сабиигъуэ тынш иреIэ», — жиIащ си анэм. Макъамэ школи сагъэкIуат, ауэ къэзухакъым — сыкъэфэну, къэзжыхьыну сыхуейт. Псалъэм папщIэ, фортепианэм нотэ зэзгъащIэу сыбгъэдэсын хуэдэу сытепыIэфыртэкъым, си ныбжьэгъухэм я гъусэу сыджэгуну сехъуапсэрти. Си адэм и «Амикс» гупым сыкIуэрт щIэх-щIэхыурэ. Я къафи я уэрэди зэзгъэщIат. Репетицэ яIэрэ зыгуэр къэмыкIуамэ, абы и пIэкIэ сащыхэуви къэхъурт. Илъэс 15 сыщыхъум гупым сыхыхьащ. Псом нэхърэ сынэхъыщIэт, утыку щыгъынхэри ирамыдыкIауэ схуэхъуртэкъым. Школыр къэзухыху сыхэтащ. Курыт еджапIэ нэужьым, Москва, Щукин Борис и цIэр зезыхьэ Театр институтым сыщIэтIысхьащ. Къэзухри, МюзиклымкIэ театрым илъэситIкIэ сыщылэжьащ. Псори хъарзынэт, псори фIыт, ауэ си гур къилъэтын, си нэхэр лыдын хуэдизу ситхьэкъуртэкъым си лэжьыгъэм. ИтIанэ, сэ си цIыху щIыкIэр мыпхуэдэщ: езыхэр сызыхагъэхьэм сыхэтт, ауэ «мис мыр сигу ирохьри, сыщывгъэджэгу», схужыIэнутэкъым. «Къысхуагъэфащэмэ, езыхэм сыкъалъэгъунщ», — арат сызэрегупсысыр. Арати, республикэм сыкъэкIуэжащ. А зэманым «Амикс» гупыр илъэс 15 ирикъурти, концертхэр куэду игъэхьэзырт. Сэри садэIэпыкъуну сахэуващ. «Джэрпэджэж» — Зэгуэрым макъамэмкIэ «Джэрпэджэж» («JRPJEJ») гупым и оператор Васильев Тамерлан къэпсэлъащ, «зы уэрэд дыгъэтх» жиIэри. СыкIуэри ттхат, ауэ уэрэдыр схуэмыгъэзэщIауэ къысщыхъуат, сигу зыхуэзэгъэжатэкъым. Зэман дэкIащ. Аргуэру а гуп дыдэм хэт Къуэдзокъуэ Тимур къопсалъэ, «гущэкъу уэрэдитI дыгъэтх», жиIэри. СокIуэ, уэрэдхэр къыхыдох, дотх. ИтIанэ, концерт ятынути, сраджэ. Сэ уэрэдитIыр жысIэну сыкIуауэ арат, ауэ концертыр иухыху сахэтащ. ИтIанэ, аргуэру зы концерт. Ауэ иджы сахэзэгъауэ. Апхуэдэу сыхыхьащ «Джэрпэджэж» гупым. Иджы зы унагъуэ хуэдэу гуапэу дызэхэтщ. Куэд щIакъым Тамерлан гупым зэрыхэкIыжрэ… ИужькIэ Аппеш Бибарси. Бибарс гупым щыхэкIыжам щыгъуэ егъэлеяуэ къыттехьэлъащ… Зы концертышхуэ къытпэщылъу ирихьэлIат. Ауэ щыдгъэхьэзырым чэнджэщкIэ, IуэхукIэ махуэ къэс къыддэIэпыкъуащ. Абы щыгъуэ дгъэхьэзыра концерт программэр Москва, Самарэ, Къэзан, Санкт-Петербург щыдгъэлъэгъуащ. Иужьрейуэ, Москва «Гараж» и фIэщыгъэу иджырей гъуазджэмкIэ щыIэ музейм пшыхь гукъинэж къыщызэдгъэпэщащ. «Джэрпэджэж» гупым сыхыхьа нэужь, уэрэдыжьхэм сыдихьэх хъуащ. Дэтхэнэми и купщIэр, хъыбару и гъусэр, зыхуаусар — псори зэзгъэщIэну сыхуопабгъэ, абыхэм теухуауи тхыгъэ щхьэхуэхэм сыкъоджэ. КъызгурIуаращи, ахэр уэрэд къудейкъым, ахэр гъащIэщ: зыгуэрым и насып, и гуауэ, и гууз, и Iущагъ хэлъу. А псор зыхэпщIа нэужь, уэрэдыр макъ къудейкIэ бгъэзащIэ хъужыркъым, уи псэм къыIэпыбох ахъумэ. И пэжыращи, сыкъызыхэкIа лъэпкъым гъунэгъу сыхуищIащ. Сызэрыадыгэр си къарущ — Москва сыщыщеджа илъэсхэм сэ нэсу къызгурыIуэртэкъым сыкъызыхэкIа лъэпкъым и уардагъыр. Уеблэмэ къыздеджэхэм псэлъэкIэкIэ е гупсысэ гуэрхэмкIэ сазэремыщхьым сыщринэщхъеи къэхъурт. Зэгуэр дезыгъаджэ зы бзылъхугъэ жесIат: «Уэрэд щыжытIэкIэ, сэ си макъыр къазэрыхэщхьэхукIыр зыхызощIэри, си гур ныкъуэщ». «Абы уригушхуэн хуейщ, ар уэ уи щхьэхуэныгъэщ, ар екIущ, ар щэнхабзэщ. Дэ игъащIэкIэ тхузыхэмыщIэну уэ зы телъыджэ пхэлъщ», — къызжиIат. А щыжиIа дакъикъэм къызгурIуатэмэ! ИужькIэ, си Хэку сыкъекIуэлIэжауэ, а псалъэхэм я мыхьэнэр зыхэсщIащ. КъызгурыIуащ, сызэрыадыгэр си къару нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр. Пэжым ухуеймэ, иджыпсту куэд щыIэщ «Адыгэ уей-уей», жыхуиIэм я адыгагъэри, адыгэбзэри, гъэсэныгъэри кърагъэтIасэу е адыгэ фащэр дахэу ящыгъмэ, нэхъ адыгэ щымыIэ я гугъэу. Сэ си дежкIэ лъэпкъыр нэгъуэщIщ — ар гурэ псэкIэ зыхэсщIэщ, гупсысэрэ зэхэщIыкIкIэ щхьэхуэ сызыщIщ, си гу къеуэкIэщ. Абы уогупсысри, бзэм и мыхьэнэри нэхъ зыхыбощIэ. Сэ анэдэлъхубзэкIэ си гупсысэ къызоIуэтэф. Мис, уэ сынопсалъэ, псалъэм папщIэ, куущэу къысхущIэмыгъалъэми. Ауэ, си псэлъэкIэм и щыщIэныгъэхэр языныкъуэ нэхъыжьхэм къыщыспагъэтIылъыжым деж, си гур щызухыж щыIэщ. «Тэмэму упсэлъэфыркъым», «щыуагъэхэр хыбощIыхь» е «адыдыд, мыбы и адыгэбзэр» — мы псалъэхэм сэ сагъэсэнукъым, сыкъагъэувыIэну аращ. Мы гупсысэр си ныбжь куэдми жаIэу зэхызох: «Тебгъэгушхуэмэ, нэхъ къозэгъ, Iэпыбуд нэхърэ!» Балигъ сыхъуну сехъуапсэрт… — СыщыцIыкIум сыпIащIэрт балигъ сыхъуну. Ебгъуанэ классым сыщIэсу лъэдакъэ сытеуват, хъыджэбзышхуэ сыщIэхъукI сфIэщIу. Ауэ абы балигъ срихъуакъым. Уеблэмэ Москва сыщыщыIа илъэсхэми иджыри сыкъыIэпыкIатэкъым сабиигъуэм. Си гугъэмкIэ, унафэ гуэрхэр си щхьэ тесщIыхьыж сыщыхъуарщ балигъыпIэ сыщиувар. Нэхъапэм куэдыIуэрэ сычэнджащэрт, абы си Iуэху гуэрхэр къыщилъахъи къэхъурт. Иджы щыуагъэхэми апхуэдэу сащышынэркъым, «сыщыуэмэ, Iущ сыхъунщ», жызоIэри, си гум жиIэм нэхъ тызощIыхь. Иужь зэманхэм лъэныкъуэ куэдкIэ зихъуэжащ гъащIэм хузиIэ еплъыкIэм, зыри зыхэзмыгъэхьэфын зы дуней гуэри сиIэ хъуащ. Ди Iуэху еплъыкIэхэр зэтемыхуэжурэ, ныбжьэгъу, цIыхугъэ гуэрхэри скIэрыхужащ, пэжым ухуеймэ. Насыпыр щыIэщ — Дыпсэуну тIэщIэгъупщыкI хуэдэщ иныкъуэм деж — щхьэхьу зыщIыпIэ дыкIуэу. Насыпыр-щэ?! Насыпыр езы гъащIэрауэ си гугъэщ. Абы дакъикъэ телъыджэу хэтырщ. Гу лъыттэн хуейуэ аращ. Дызэрыбауэр, ди лъэ къызэрихьыр, дыщIэкIыу къэткIухьыну, дигу къэкIа цIыхум дыIущIэну Iэмал дызэриIэр — мыхэр насып ирокъу. Гугъуэт Заремэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100445.txt" }
Тхыдэр зэрыхуейуэ къыщIезыгъэдзхэр Мамырыгъэ щIэхъуэпс дэтхэнэ цIыхуми хуэдэу, дэри дыхуейщ хэгъэгухэр, лъэпкъхэр зэгурыIуэу зэдэпсэуну. Абыхэм яку зэныкъуэкъу къыщихъуэм деж, мыгузэвапIэ иIэкъым. Гум ищтэркъым, хьэлэбэлыкъ къаIэтын гуращэкIэ, тхыдэм къыщыхъуа гуэрхэр фIэгъэнапIэ ящIыжурэ, зы лъэпкъыр адрейм щрауштыр. Гутегъэхуэгъуейщ адыгэм пцIы къыщытралъхьэри. Иджыпсту къэралым и журналист, тхыдэдж, къызэрыгуэкI щIэгъэстакIуэ гуп ерыщу тотхыхь, топсэлъыхь ди лъэпкъым езым я хэкужь зрахужауэ, я щхьэзыфIэфIагъкIэ е хунэмысагъкIэ дуней псом езыр-езыру зытракъухьауэ адыгэхэм шэч ирагъэщIыну, адрейхэм ар я фIэщ ящIыну. Мы псалъэмакъыр къызыпкърыкIыр журналист Джерелиевскэ Борис и тхыгъэ «ЖылакIэ» — лъэпкъхэм я кIуэдыжыкIэ» зыфIищаращ. Адыгэм хэкур зэрабгына хъуам Джерелиевскэр топсэлъыхь а Iуэху дыджым и зы лъэныкъуэ закъуэ хиубыдыкIауэ, абы щыгъуэми зэрылъэкIкIэ зэблишу. Тхыгъэм дыпэджэжу къэлъытэн хуей нэгъуэщI куэд зэрыщыIэр утыку къэтщIынут. Зы гупсыси, зы еплъыкIи щIыпIэ нэщIым къихъуэркъым, ахэр сытым щыгъуи Iуэху, гуращэ гуэрым телэжьэн хуейуэ къагъэщI. Адыгэм лъэпкъкIуэд къыхуамыгъэкIуауэ жызыIэр къэралым и тхыдэр зэрыхуейуэ ятхыжыну зэрыубыда гупращ. Зызрапщытыр Iуэху куущ, лъэныкъуэ куэд къызыхэлъытапхъэщ, абы къыхэкIыу щыIар щымыIа пщIыныр гугъу дыдэ хъуну-щи, гъащIэ къэзыгъэщIа, щIэныгъэ зиIэхэр зэгухьауэ, Урысейм и тхыдэм лъэпкъкIуэд къыщымыхъуауэ, къыщыхъункIэ хъунуи щымытауэ щаIуэж. Пэжым ещхь псэлъэкIэ яIэщи, Iуэху ищIу тхыдэр фIыуэ зымыджа цIыхум и фIэщ ящIыфынущ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Джерелиевскэм и тхыгъэр. Ди гуауэшхуэм нэхъапэкIи тетхыхьахэм ягухьэри, мыбыи хэлъхьэныгъэ ищIащ щапхъэхэр къихьурэ, и IэдакъэщIэкIым еджэнухэм я псэм зэрылъэIэсын псалъэ къыхищыпыкIыурэ. Пэжыр пцIы щIын, зэрыщытар зэрыщымытауэ къыщIегъэдзын — аращ пщэрылъ зыхуищIыжар. Бзаджэу бгъэдыхьащ и гуращэм. И псалъэр къыщришажьэр Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романращ. Абы етх мыпхуэдэу: «ЖылакIэ» романым и гъэщIэгъуэнагъыр нобэ щIемыхуэхыр ар Iэзэу тха зэрыхъуам и закъуэкъым. Iуэхур зыIутыр аращи, лIэщIыгъуэрэ ныкъуэ ипэкIэ къэхъуа гуауэр иджы политикэм ирашэлIэжыну, куэд щIауэ жэщIыжа зэныкъуэкъумрэ лъагъумыхъуныгъэмрэ къагъэхъеижыну йолIалIэ къару хэха гуэрхэр. Абы теухуауэ уасэншэщ Шинкубэм и романыр, тхыдэм ирисондэджэрхэм япоуври». КIэщIу жыпIэмэ, адыгэм лъэпкъкIуэд къызэрырамыщIылIар Шинкубэм пэжу къигъэлъэгъуэжауэ жеIэ. Тхыгъэм и кIэм «тхакIуэ щэджащэкIэ» Бэгърат йодэхащIэ, щыхьэт ищIыр къызэрымыкIуэ цIыхуу зэрыщытым-кIэ езым жиIэм и уасэр дригъэуеину. ДрикIуэнщ мы журналистым и тхыгъэм, жиIэхэм я пэжагъыр къэтпщытэурэ. Абы етх: «Адыгэм лъэпкъкIуэд яIауэ ерыщу къэзылъытэхэр Урыс-Шэрджэс зауэм щыщIидзауэ къызыдэбжэр Мэздэгу быдапIэр щаухуаращ…» Пэжщ, адыгэ псори абы къыдобжэ. 1735 — 1739 гъэхэм Урысеймрэ Тыркумрэ зэзэуащ. Ар щиухам зэращIылIа зэгурыIуэныгъэмкIэ, XVI лIэщIыгъуэм лъандэрэ Урысейм и жьауэм щIэту къэгъуэгурыкIуа Къэбэрдеишхуэри Къэбэрдей ЦIыкIури зи щхьэ хуитыж къэралыгъуэу ягъэуващ, Урысеймрэ Тыркумрэ зэпэщIэзых щIыналъэу яку дэтыну. Хы ФIыцIэм и кхъухь тригъэхьэну хуимыту Урысейм къыпагъэувати, апхуэдэ зэгурыIуэныгъэр а къэралым дежкIэ къезэгъыртэкъым, еувэлIэн хуей хъуами. ХэкIыпIэ лъыхъуэнут, дауи. АдэкIэ Джерелиевскэм етх: «1810 гъэм нэсыху Урысейм Кавказым дригъэкIуэкIар зэрызыщихъумэн политикэщ. Мэздэгу быдапIэр яухуа нэужь, илъэс 50-м и кIуэцIкIэ къэзакъхэри урысым и дзэри Псыжь и ижьырабгъу лъэныкъуэм щысащ, «адрыщI хьэкIэкхъуэкIэхэр» къатемыуэным кIэлъыплъу. Шэрджэсхэм я щIым зрапщытын гуращэ яIакъым, Псыжьрэ Лабэрэ щызэпрыкIар зэзэмызэххэщ, ари къыщыхъуар бгырысхэр къатеуэр ирахужьэжурэщ». АдыгэщIым зрапщытащ. Пэжщ, зауэ гуащIэ къращIылIэртэкъым, ауэ сыту пIэрэт зыщIашыIэр? Джерелиевскэм жыхуиIэ илъэс 50-м къриубыдэу Урысейм щекIуэкIам дриплъэжынщ: 1760 — 1764 — уней е къэрал завод, фабрикэхэм щылэжьэн хуейуэ кIэрапха мэкъумэшыщIэхэм Уралым зыкъыщаIэт зэпыту екIуэкIащ. 1768 — 1774 — урыс-тырку зауэр екIуэкIащ. 1771 — цIыху куэд зыхьа емынэ узыр Мэзкуу дэлъащ, унафи жьэгуфи щымыIэжу псори хьэжэпхъажэ ищIауэ. 1772 — Лыхь жылэр (Польшэр) ягуэшыжащ. 1773 — 1775 — IэщэкIэ зэщIэузэда мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ, Пугачёв Емельян я пашэу. 1783 — Кърымыр зыгуигъэхьащ. 1783 — 1797 — къэзахъ цIыхубэм зыкъаIэтащ, Датов Срым я пашэу. 1787 — 1791 — урыс-тырку зауэр екIуэкIащ. 1788 — 1790 -Урысеймрэ Швециемрэ зэзэуащ. 1793 — Лыхь жылэр етIуанэу ягуэшащ. 1795 — Лыхь жылэр ещанэу ягуэшащ. 1799 — Суворовыр Италиемрэ Швециемрэ зэуакIуэ кIуащ дзэ и гъусэу. 1804 — 1813 — Ираным езэуащ. 1806 — 1812 — урыс-тырку зауэр екIуэкIащ. 1808 — Швецием езэуащ. 1812 — Наполен Урысейм къытеуащ. Абы хэлъхьэж гъей куэдрэ къызэрыхъуар. XVIII лIэщIыгъуэм илъэс 34-рэ хэтащ гъавэ къащемыхъулIа, цIыхур шхынщIэлIэу къызэхэнауэ, XIX лIэщIыгъуэм и япэ щIэлъэныкъуэм 35-рэ гъей къэхъуащ. А псом къэралым и лъэр щIех, мыхьэнэшхуэ зиIэу къилъытэ Iуэху гуэрхэри зэкIэ IэщIыб ищIын хуей мэхъу. Апхуэдэт Кавказыр къэзэунри. Урысей пащтыхь Павел Езанэр зэрытета тIэкIум хуэзэу, пэжщ, Кавказым къезэуэн гупсысэр тепщэу щытакъым. Урыс политик Жигарев Сергей къызэрилъытэмкIэ, ар хущIэкъурт и анэ Екатеринэ ЕтIуанэм зэрихьа политикэм пимыщэну. Павел Езанэм къэзылъхуар фIыуэ зэримылъагъум и фIыгъэт Кавказым щыIэ дзэр зэрыришыжар. Адыгэпщхэм Мэздэгу быдапIэр къызэралъытар езыхэм къазэрыпэщIэувэ Iэмалущ. Абыхэм къагурыIуэрт а быдапIэр урысыр хэкум къызэрихьэм, зэрызыщигъэбыдэм и щыхьэту зэрыувыр. БыдапIэр яухуэн папщIэ адыгэщIым щыщ IыхьэфI яубыдат. КъимыдэкIэ, зи щхьэ хуимыт адыгэ мэкъумэшыщIэхэр щIэпхъуэжурэ а быдапIэм зыщагъэпщкIурт, я унагъуэцIэхэр яхъуэжырт, чыристан диныр къащтэрти, зи IэмыщIэ илъахэм я Iуэху къахэмылъыж хъурт. Къахуэнэхэм елъытауэ щIэпхъуэжхэр куэд дыдэ мыхъуми, мыдрейхэм щапхъэ яхуэхъурт IумпIафIэу щымытынымкIэ. Ари хэтт адыгэпщхэр зыгъэгубжьым. Мэздэгу быдапIэр Iуихыжыну елъэIуу зэкъым абыхэм лъэIу тхылъ Екатеринэ ЕтIуанэм зэрыхуагъэхьар, ауэ арэзы къадэхъуакъым, иужьым щхьэтехауэ къажриIащ: зэи Iутхынукъым, абыкIэ зэи арэзы дыхъунукъым. Аращ адыгэпщхэр быдапIэм къытрагъэзэжурэ теуэныр къызыхэкIар. Сыт хуэдэ лъэпкърат апхуэдэ дыдэу зымыщIэнур, адыгэм яIа щхьэусыгъуэхэм хуэдэ яIэмэ? Арэзы урихъункIэ Iэмал зимыIэу Джерелиевскэм етх: «Мэздэгу быдапIэм зыщагъэпщкIурт я адэ-анэм Тыркум иращэну унафэ зытращIа сабийхэм». Сабийхэр щIэпхъуэжуи сощI, ауэ зи быныр зыщэжыну зигу къэкI адыгэм яхэтакъым. Къэхъуащ цIыху щадыгъуи щащи. Апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьыр мылъку щхьэкIэ сытри зыщIэну хьэзыр цIыху Iейхэрат. Адыгэм къэзылъхуамрэ къыдалъхуамрэ папщIэ сытри яхуэщIэну къэгъуэгурыкIуащ. Iуэхугъуэшхуэ къиIэтауэ тепсэлъыхьым тегъэщIапIэ ищIын хуейр хабзэу къекIуэкIращ — армыхъумэ зэзэмызэ е зэрымыщIэкIэ къэхъуракъым. Адыгэ адэ-анэм я быныр лъаIуэурэ ящэным Iуэхур щыхуэкIуар хэкум ирахуа нэужьщ — мэжэщIалIэу яфIэлIэ сабийхэр псэууэ къызэтранэным ирихулIэрт. ЦIыху щэным теухуауэ щапхъэу къэпхь хъунущ Суворовым хъыджэбз щIалэ дыдэ къищэхуу нэгъуей хъаным тыгъэ зэрыхуищIауэ щытар. Хабзэ лъагэм хапIыкIа цIыхум сытым щхьэкIэ ищIат апхуэдэу? Езыр нэгъуэщI лъэпкъхэм езауэрт, хьэкIэкхъуэкIэ щытыкIэ яIэу жиIэурэ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, урысхэми я хамэтэкъым цIыху щэнымрэ къэщэхунымрэ. Урысейм и тхыдэджхэр а тыгъэм зэреджар «дипломат IуэхузехьэкIэщ». Абы иужькIэ Суворовым нэгъуейхэм лъэпкъкIуэдыр къахуигъэкIуащ. Дыхэплъэнщ Урысей къэралыгъуэм цIыху щэн-къэщэхуным теухуауэ и Iуэху зыIутам, адыгэм апхуэдэ щхьэусыгъуэкIэ къезэуэну щыпыхьакIэ. Къэтщтэнщ Павел Езанэм и тетыгъуэр. МэкъумэшыщIэхэр ящэну хуитт, ауэ зы унагъуэм щыщхэр зэкIэрачыртэкъым. 1796 гъэм хабзэ къыдэкIащ мэкъумэшыщIэхэр зэрыхуейуэ зы щIыпIэм икIыу адрейм кIуэну хуимыту. Павел Езанэм зэпымычу игуэшащ и мэкъумэшыщIэхэр. Илъэситхут ар зэрытетари, абы къриубыдэу цIыху 530-рэ итащ. Екатеринэ ЕтIуанэр илъэс 34-кIэ тетати, итар 850-щ. Урысейм цIыху щащэ, щат, щагуэш жиIэу зы къэрали къытеуакъым, езым Кавказым апхуэдэ Iуэхухэр щигъэувыIэн хуейуэ жиIэри дзэ къришащ. Джерелиевскэм зауэ къэхъеям и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыуэ къегъэлъагъуэ лъыщIэжыр лъэпкъым къыдекIуэкIыу зэрыщытар. Пэжщ, диIащ апхуэдэ хабзэ. Зэрыхуейуэ зэрыукIыжыртэкъым, ауэ зи цIыху яукIам, ягъэпудам, уIэгъэ ящIам, зи цIыхубз и нэмыс къыжьэхэуахэм ялъ ящIэжырт. Люлье Леонтий итхыгъащ: «Бгырысхэм дежкIэ лъыщIэжыр къыпхужьэдэмыкъуэн, IэубыдыпIэншэ хьэл-щэну аратэкъым, корсиканхэм я лъыщIэжыкIэм ещхьу. Адыгэхэм дежкIэ ар цIыхум и щхьэм хуищIыж пщIэм, цIыхубэм я Iуэху еплъыкIэм къыпкърыкI пщэрылъщ, лъыр лъыкIэ пшыныжыным къыхокI». Къэрал хэгъэзыхьыныгъэ щыземыкIуэ лъэпкъым дежкIэ лъыщIэжыр къезэгъ хъуат, щIэпхъаджагъэ къэмыхъуным телажьэу. Люлье адэкIэ къыхегъэщ езыр ди щIыпIэм къыщихьам ирихьэлIэу лъыщIэжыр кIащхъэ хъуауэ зэрыщытар, апхуэдэ къэхъумэ, ягъэщIагъуэу. Джерелиевскэм къытхужиIэхэм ящыщу ущIэмыдэуэфынщ адыгэпщхэр зэпэщIэту зэрыщытар. Абы насыпыншагъэ къишэрт. Къэбэрдеишхуэмрэ Къэбэрдей ЦIыкIумрэ зэрызэпэщIэувам къыхэкIащ Джылахъстэнейм я уэркъхэр къащхьэщыжыну Урысейм елъэIуныр. Ахэр хуейт урысым и щIы кIапэ къыIахыу абы итIысхьэну. Урысейр абыхэм нахуэу къадэIэпыкъуфынутэкъым, адыгэхэр Iэпхъуэныр фIэфI хъуами. 1739 гъэм Тыркум иращIылIа зэгурыIуэныгъэр зэран хъурт. Абы теухуауэ урыс тхыдэдж Бутков Пётр итхащ: «Иджыри къэс Урысеймрэ Кавказымрэ я гъунапкъэхэр игъащIэ лъандэрэ зэрыщытам тетащ, ауэ иджы урыс къуажэхэр Кавказым и гъунэхэм къотIысэкI, Тэрчыпсым дэкIуейуэ IуотIысхьэ; Сулак быдапIэри къызэрагъэпэщыжыну гупсысэ щыIат. А къуажэхэм Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм щыщ дагъэтIысхьэну щогугъ: чыристан диныр къэзыщтэ осетинхэр, кистхэр, адыгэхэр, апхуэдэу ермэлыхэр, куржыхэр. Абы фейдэуэ хэлъыр КизлярыщIым цIыху нэхъыбэ исыхукIэ лейзехьэхэр нэхъ Iэсэ пщIыну тынш хъунущи аращ». Тэрчыпсым къуажэхэр IуагъэтIысхьэу унафэ къызэрыкъуэкIыу, Къаншокъуэ Кургъуокъуэ Бытырбыху дэсхэм закъригъэщIащ и цIыхухэр и гъусэу езыр абы яхэтIысхьэну зэрыхьэзырымкIэ, адрей лъэпкъхэри Iэпхъуэну зэрытригъэгушхуэнумкIэ. ЖиIэр зэрыпэжым и щыхьэту, чыристан диныр къищтащ, Иванов Андрей цIэр къыфIащащ, и щхьэгъусэри и бынри чыристан хъуащ. Ар подполковник ящIащ, улахуэфI къыпэкIуэу, Черкасскэ-Канчокину зитхыну хуитт, езым дыщэу, и блыгущIэтищым дыжьыну медаль къратащ». «КъэунэхуагъащIэ чыристан джыназыр хагъэдат щыпсэуну къыхихынумкIи, Тэрчыпсым и сэмэгурабгъум щыIэ Мэздэгу Iэхэлъахэр нэхъ къищтащ. 1763 гъэм абдежым быдапIэ щаухуэн щIадзащ, къэрал мылъкум къыхэкIыу Кургъуокъуэрэ подполковник Гаакрэ унэ зырыз щыхуаухуащ…», — етх Бутковым. Подполковникым и тхылъым къыщыхегъэщ адыгэпщхэм я щхьэхуитыныгъэм тешыныхьурэ, а быдапIэр зэтракъутэну куэдрэ яужь зэрихьар. Мэздэгу Iэпхъуа адыгэхэм ятеухуауэ Джерелиевскэм жеIэ: «Хэшыпсыхьынри чыристан дин къащтэнри Iэмалыншэу щыттэкъым. Урысым гухьа бгырысхэм я пщэ къыдэхуэр зы закъуэт — зыгухьам хуэарэзын, я хабзэм тетын. Абы пэкIуэу абыхэм я щхьэр хъума хъурт, я Iуэху зэрыхуейуэ зэрахуэ-жырт, мамыру псэурт, нэгъуэщI фIыгъуэхэри яIэт (хьэкъулэ ирагъэтыртэкъым, дзэм хэмыхьэми хъунут, зэрыIэпхъуам пэкIуэу ахъшэ къратат). Абыхэм я хабзи, я дини зыми и гугъу ищIыртэкъым». Ари пэжкъым. ЩIэпхъуэжу быдапIэм кIуэхэм чыристан диныр къащтэн хуейт зи IэмыщIэ илъам и Iуэху къыхэмылъыж, быдапIэм щыпсэу чыристанхэм хуэдэу я щхьэр хъума хъун папщIэ. Диныр щихъуэжкIэ и цIэри хъуэжын хуейти, ар адыгэжтэкъым. Арат дэни щыхабзэр. Урыс пащтыхь Иван Грознэм Къэзан къищта нэужь тэтэрхэм чыристан диныр кърагъащтэу хуежьащ. Абдежым я тэтэрыныр яухырт. Джерелиевскэм адыгэхэр егъэкъуаншэ Мэзкуу къэралыгъуэм теуа лъэпкъхэм зэрахэтамкIэ. Адыгэхэр Куликовэ губгъуэм ираукIыхьа Мамай дэщIу зэрызэуар фIэфIкъым. Арат, жеIэ, Урысей къэралым и гъунапкъэхэр игъэбыдэну ипщэкIэ щIэIэбар. Пэжщ, теуэ ящIыныр адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуащ, ар хабзэ хэхам тетуи екIуэкIырт. Урыс-Кавказ зауэм щIи- дза нэужьщ адыгэпщхэр, адыгэ уэркъхэр хабзэм пщэрылъ къащищIхэм ебакъуэу щыхуежьар. Урыс къуажэхэм теуэрт, езым я щIым къихьахэм езауэу къалъытэу. Мамай гуэта адыгэхэм ятеухуауэ. А зэман жыжьэм къэхъуам хужыпIэ хъунур мыращ: пщIэкIэ зэуэну кIуа адыгэхэм сытым щхьэкIэ утепсэлъыхьын хуей, урысыпщ Рязанскэ Олег Мамай и лъэныкъуэу щыувакIэ?! ДэIэпыкъуэгъу хуигъэкIуащ, урысхэр зэрыкIыну лъэмыжхэр икъутащ, зауэм къелауэ къэкIуэжхэр ихъунщIащ, гъэр ящIауэ къахухэр къатрихащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ езым и зауэлI мащIэ хъуахэр иригъэкъужынут, и пщыгъуэ тхьэмыщкIэ хъуам зригъэужьыжынут. Мамай жиIауэ ятх мы псалъэхэр: «Сэ сы-Мамайщ, сэ сылъэщщ. Сытеубжьытхащ сэ хабзэжьхэми Ясэми, сэ тезгъэува хъанхэр зыгуэрхэм нэпцIу къызэралъытэми. Тетыгъуэр пхъэкIэн джэгум хуэдэщ. Джэгу». Мамаи Куликовэ губгъуэри щымыIэххауэ трагъэчыныхь языныкъуэ тхыдэджхэм, ауэ Мамай и псалъэу жыхуаIэхэм темыта урыс пащтыхьхэм яхэмыту къысщохъу. Джерелиевскэ Борис ину жеIэ адыгэм лъэпкъкIуэд кърамыщIылIа-уэ. Сыхуейщ а зауэм хэтахэм, зи унафэкIэ екIуэкIахэм ятхыжам щыщ щапхъэу къэсхьыну. 2003 гъэм Мэзкуу щыIэ «Алгоритм» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIыжащ Кавказым щыIа пащтыхьныкъуэ Михаил Николай и къуэм и дэIэпыкъуэгъуа, Кавказым щыIэ урысыдзэм и Iэтащхьэу щыта генерал-лейтенант Фадеев Ростислав «Кавказ зауэ» зыфIищауэ щыта и тхылъыр. Абы щетх: «Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэм щыдубла зауэмкIэ къэтхьынури абы и екIуэкIыкIэнури зыкIи ещхьтэкъым къуэкIыпIэ лъэныкъуэм щекIуэкIам… Шэрджэсхэм я щIыпIэр европей хым и Iуфэм зэрыщыIэм, абыкIэ дуней псом епха зэрыхъум къыхэкIырт щыпсэу лъэпкъхэр къэбзэукIэ Iуэхур зэрызэфIэмыкIынур. А щIыпIэр Урысейм къыIэрыхьэным нэгъуэщI Iэмал иIэтэкъым, къэгъазэ имыIэу урыс щIыным фIэкIа. КъуэкIыпIэм къыщезэгъа хэкIыпIэхэр къухьэпIэм хуэкIуэртэкъым: Хы ФIыцIэм и къухьэпIэ лъэныкъуэр урысыщI тщIын папщIэ абы щыпсэууэ хъуар игъэкъэбзыкIын хуейт… Куэд укIын хуейт, адрей къэнам Iэщэр ягъэтIылъыпэн щхьэкIэ… ЩIыпIэм ис лъэпкъхэр зэтеукIауэ Кавказ зауэр къэгъазэ имыIэу ухын хуейуэ Евдокимовым къыхилъхьа бгъэдыхьэкIэр политикэ и лъэныкъуэкIи гъэзэщIа зэрыхъунумкIи телъыджэу куут… Бгырысхэр ихуауэ Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэм урысыр игъэтIысхьэн — арат зауэм и иужь илъэсиплIым дызыпэрытар». Урыс пащтыхь Николай Езанэм граф Паскевичым хуетх 1829 гъэм (Тыркум езэуэн иуха къудейт): «Апхуэдэ зы Iуэху дахэ зэфIэбгъэкIащи, иджы нэгъуэщI къыппоплъэ, сэркIэ апхуэдэ дыдэу дахэу, фейдэуэ къыпыкIынумкIэ фIыуэ нэхъыщхьэу — зэи зыкъамыIэтыжыну бгырысхэр егъэтIысэхын е абыкIэ мыарэзыхэр зэтеукIэн». «Кавказыр зэрыщыту убыдын хуейуэ унафэ къащта нэужь, а зауэр зэриухыну щIыкIэр IупщI хъуат, ауэ и кIыхьагъкIэ Санкт-Петербургыр хущIэкъуащ лъэныкъуитIми хэкIуадэр гъэмэщIэным», — етх Джерелиевскэм. Абы теухуауи езы зауэм хэтахэм ятхыжам деджэнщ. «Кавказым и къухьэпIэмрэ къуэкIыпIэмрэ я мыхьэнэр зэщхьэщыкIырт хы Iуфэм Iусхэр я щIыпIэм къинэжмэ, Урысейм ей дыдэ зэрымыхъунумкIэ. Псыжь и адрыщIыр урыс унафэм щIэувэным щхьэкIэ, хы ФIыцIэм зы фоч зэрыщыуэу щыпсэухэр дэ къытпэщIэувэжу абы ипэ гуащIэу етхьэлIар мыкIуэдын щхьэкIэ, егъэкIуэкIын хуейт лъыгъажэ зауэ кIыхь, мылъкушхуэ текIуадэу щытми… Дэ къуажэ къэс ди нэIэ тетыну Iэмал диIэтэкъым, ауэ дунейр щымамырми абыхэм урыс унафэм щIэт цIэр зэрахьэн къудейуэ арат. ЗыгуэркIэ зауэ къэхъеймэ, Псыжь къещIылIа щIыналъэр бийр Кавказым и гум зэрынэсын бжэ зэIуха хъунут. Зауэ къэхъеину хъыбар къызэрыIуу, ди дзэр 1855 гъэм зэрыта щытыкIэ ды-дэм къихутэжынут, абы щыгъуэ хуэдэ дыдэу и пIэм ижыхьауэ, зыри зэрылъэмыкIыр тлъагъуу… Исхэр зэтеукIэн, дзэм яужь иту урыс къуажэхэр гъэтIысын — апхуэдэ политикэм ипкъ иткIэ, 1861 гъэм и гъатхэм щыщIэдзауэ 1862 гъэм и гъатхэм нэсыху Псыжь и адрыщIым урыс къуажэу 35-рэ ирагъэтIысхьащ, шууеидзиплI къызыхэкIа унагъуэу 5482-рэ хъууэ. Адыгэр и щIым къранэжыну сыт хуэдэу мылъэIуами, зыри къикIынутэкъым. ЛъэIуаи щыIат, ирамыху закъуэмэ сыт и лъэныкъуэкIи Урысейм дэIэпыкъуну, едэIуэну жаIэу. Къригъэлакъым. Мыадыгэу, сыт хуэдэ лъэпкъ хы Iуфэм Iусами, къапэплъэр арат. Зэгуэр зыубыда къэралым и Iэщэр хуимыгъэзэжыным щхьэкIэ ирагъэкъэбзыкIынут. «Кавказым теухуа гукъэкIыжхэр» тхылъым Венюков Михаил щетх: «Зауэр щысхьырабгъу имыIэу екIуэкIырт. Дэ лъэбакъуэ зырызурэ дыкIуатэрт, бгырысхэр зы цIыхуи къэмынэу дгъэкъабзэурэ. Къуажэхэр щэ бжыгъэкIэ-рэ зэтедгъэсхьат, гъавэм шыхэр хэдутIыпщхьэрт е ауэ зэхэдутэрт. ЗыгуэркIэ къуажэхэм иджыри цIыху дэсу къыщIэкIамэ, занщIэу щхьэхуимыту хы Iуфэм яхурти, адэкIэ Тыркум ирахурт. Фарс деж абэзэххэм я къуажэхэр махуищкIэ мафIэм щисащ, и хъуреягъыр Iугъуэ дыджым зэщIищтауэ. ГъэIэпхъуэныр фIы дыдэу къыдэхъулIэрт…». Iэпхъуэным цIыхур ехулIэныр Урысеймрэ Тыркумрэ зэрызэгурыIуам тету екIуэкIащ, ауэ Тыркум и гугъакъым шэрджэсхэр апхуэдиз зэрыгъэхъуну. Урысейм къыжриIэрт Iуэхур къызэтрагъэувыIэну, ауэ зыжраIэм зэхихыртэкъым. Езым Тыркум унафэ хуищIырт адыгэхэр урыс гъунапкъэм пэжыжьэу игъэтIысыну. Филипсон Григорий етх: «Мы махуэхэм къытIэрыхьар бгырыс зыбжанэм я хьэдэти, я щхьэр паупщIри, чэтэным кIуэцIадащ. Вельяминовым зы щхьэ къэс тумэн къарет, щхьэ къупщхьэхэр ЩIэныгъэ академием ирегъэхь. Аращи, зы бгырыс и щхьэ къэс зэзауэ къокI… Хьэдэрэ щхьэ пыупщIарэ щхьэкIэ зэныкъуэкъуныр Кавказым щызауэхэм хабзэ яхуэхъуащ. Къэзакъхэм я бжым чэтэным кIуэцIылъу фIэлъ щхьэхэр япэу щыслъэгъуам цIапIагъэрэ гущыкIыгъуэу къысщыхъуат». «Си лъыр къокъуалъэ, шыуаным итым хуэдэу, си Iэпкълъэпкъыр мэкIэзыз, жыIэмыдаIуэхэм филъкIэ фи щIыр згъэнщIыну апхуэдизкIэ сыщIохъуэпсри… фыпэплъэ, вжызоIэ сэ, си хабзэм тету джатэрэ топкIэ фи лъыр псыуэ езгъэжэхынущи. Фи псы ежэххэм ирижэнур псы утхъуакъым, атIэ плъыжьщ, фи унагъуэм щIэсхэм я лъым ириIауэ», — итхырт генерал Цициановым. Зи тхыгъэ дытепсэлъыхь журналистым зэрыжиIэмкIэ, и кIыхьагъкIэ Урысейр зыхуеяр бгырысхэм зауэншэу ягурыIуэнырщ, сату ярищIылIэну хэтащ, зэныкъуэкъу хэмыхьэну хущIэкъуащ. Пащтыхьым и тхыдэджхэм жаIэр нэгъуэщIщ: «… урыс къулыкъущIэхэм языныкъуэхэр щхьэусыгъуэ лъыхъуэрт бгырысхэм ятеуэу фочауэ макъкIэ я лъыр къызэщIагъэплъэн папщIэ». Мис нэгъуэщI щыхьэти. Генерал Слепцовым губжь хэлъу етх: «Сыт хуэдэ хуитыныгъэ яIэ а хьэкIэкхъуэкIэм хуэдэхэм мы щIыпIэ телъыджэм щыпсэуну? Дуней псор зи IэмыщIэ илъ Тхьэм и унафэкIэ ди пащтыхь нэхум дигъэкIуащ абыхэм я къуажэхэр зэтеткъутэну, цIыхухъуу Iэщэ зыIыгъыфыну хъуар зэтедукIэну, цIыхубзхэм я ныбэр етсыпэхыну, хъунщIакIуэ къамылъхун хуэдэу…» Уегъэдий генерал Ермоловым итхам: «Емынэ узыр (Астрахань къикIахэм Къэбэрдейм кърахьар) дэ къыддэщIырт адыгэм датекIуэнымкIэ, сыту жыпIэмэ Къэбэрдей ЦIыкIур иригъэкъэбзыкIри, Къэбэрдеишхуэри апхуэдизкIэ иунэщIати, къарууншэ хъуахэр зэхуэсу къыдэзэуэну ялъэкIыжыртэкъым…». Грибоедов Александр 1825 гъэм Бегичевым хуетх (Грибоедовыр Вельяминовым и гупым хэтт а зэманым): «Ермоловым и цIэм иджыри цIыхухэр егъэгужьей, Тхьэм жиIэ а гуакIуагъыр абы фIэмыкIуэдыну… Я щхьэр пытлъэу дрикIуэнущ, тхыдэми дытоубжьытхэ». Сытым къыхэкIа Урыс-Кавказ зауэр? Абы и жэуапщ Потто Василий итхари: «Зауэ мыухыжым и гъуагъуэм имыгъэпIейтеиж Урысейм и лIыхъужьхэр щыгъупщэнукъым, Кавказым лIыгъэрэ хэкум хуаIэ пэжыныгъэмрэ къыщагъэлъэгъуащи. Арыншамэ, езыхэр зауэм хуэщIарэ я щIыпIэм къихъумэжу, а лъэпкъыр къэбгъэIурыщIэныр Iэмал зимыIэу къыщIидзынут. …Ауэ хитIым я кум дэлъ Кавказ щIыналъэм уриплъэныр ирокъу Урысейр Кавказым пэщIэувэныр фIэкIыпIэ зимыIэу зэрыщытар къыбгурыIуэн папщIэ. Арат мыбдежым щытепщэну лъэпкъ куэдрэ къэралыгъуэ куэдрэ щIэныкъуэкъуар … ЩIы сэтей бэгъуа зыIэрыбгъэхьэным, зым адрейр яужь иту лъэпкъхэр къыптемыуэным и IункIыбзэр Кавказрат». 1860 — 1870 гъэхэм, Тыркум къащыпэплъэр къагурыIуэри, хэкум икIахэр къихьэжыну хуейуэ мызэ-мытIэу къэлъэIуэжат. Апхуэдэ лъэIу тхылъым Александр ЕтIуанэм тритхащ: «Къагъэзэжыным теухуауэ псалъэмакъ къудеи щыIэ хъунукъым». Зы мащIэ тIэкIущ езым я къарукIэ къэзыгъэзэжыфар. Джерелиевскэм зы IуэхугъуэкIэ арэзы удэхъу хъунущ: «Урысейм иубыда щIыналъэр нэщIу къэнэнкIэ къэшынэжри, икIыну трагъэгушхуэу щытамэ, иужьым ирамыгъэкIыным телажьэу щIадзат…» Сыт хуэдиз къэ-закъ адыгэ хэкум кърамышами, щIыуэ къаунэщIар из яхуэщIакъым. Арати, адыгэ «хьэкIэкхъуэкIэхэр» хьэлэмэт хъужащ. Урысейм къикIахэм къыздэкIуа щIыпIэм хади губгъуи щахузехьэртэкъым, жыг хадэ гъэкIынри, Iэщ зехуэнри, бжьэ зехьэнри яхузэфIэкIыртэкъым, адыгэм а псори гъуэзэджэу къехъулIэу щытами. Американ тхыдэдж Ричмонд Уолтер зэрыжиIэмкIэ, Ермоловым илэжьа закъуэм хыболъагъуэ лъэпкъкIуэдым и нэщэнэу Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) игъэбелджылам щыщу тху, Евдокимовым иригъэкIуэкIар блэкIыпIэ имыIэу лъэпкъыр ихун (этническая чистка) политикэщ — Ричмонд къызэрилъытэмкIэ, «иджырей зэманым щыяпэу къыщIэкIынущ». КъуэкIыпIэ лъэныкъуэм и тхыдэр зыдж американ щIэныгъэлI Брайан Глин Уильямс къелъытэ хэкукъутэ зращIылIа адыгэ лъэпкъым и щхьэм кърикIуар «иджырей Европэм япэу къыщыхъуа лъэпкъкIуэду». «…Нобэ шэрджэс картэр аргуэру Урысейм и зэран къыхэкIын хуэдэу зэрахъуэкIыну хущIэкъу щыIэхэщ, — жеIэ Джерелиевскэм. — Иджы Тыркум къыгухьащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэр, Европей Зэгухьэныгъэр, Куржыр, уеблэмэ, Израилыр. Абы папщIэ иросондэджэр илъэси 160-рэ ипэкIэ къэхъуа Iуэхугъуэм. Ди къэралым и бийхэм къарууэ яIэр ирахьэлIэ адыгэхэмрэ я гъунэгъу лъэпкъхэмрэ я кум хьэлэ даукIэным, Кавказым щIэрыщIэу хьэлэбэлыкъ къыщагъэхъуным». Ди лъэпкъыр мафIэм щисым псы Iэбжьыб къытезымыкIахэм иджып-стуи фIырыфIкIэ къыддэщI хуэдэу защIыркъым, езыхэм я политикэм ди гуауэр къыщагъэсэбэпыну аращ. ФIэщхъугъуейщ хэкукъутэ дызэрыхъуар гурэ псэкIэ зыхащIэу. Адыгэм и тхыдэ пэжыр зэ мыхъуми зэ ятхыжыну пIэрэ? Ари фIэщ хъугъуейщ. Зи псалъэ пхыкI нобэрей тхыдэджхэм зытелажьэм дежкIэ къекIуращ ятхынур. Дэ ди Iуэхур зыIутыр нэгъуэщIщ. ХЬЭЦIЫКIУ Рае, Урыху (Къугъуэлъкъуей) къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м и егъэджакIуэ. ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100448.txt" }
КъБР — 100
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100451.txt" }
ЕджапIэхэм адыгэ лIыхъужьхэм я цIэхэр фIащ ОНФ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм къыхилъхьауэ екIуэкI «ЛIыхъужьхэм я цIэхэр — школхэм» урысейпсо проектыр хуабжьу сэбэп хъуащ Сочэ къалэм, ТIуапсы щIыналъэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я дежкIи. А Iуэхум ипкъ иткIэ, Краснодар щIыналъэм и курыт еджапIэ зыкъомым адыгэ лIыхъужьхэм я цIэхэр фIащыжащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Сочэ къалэм и Лазаревскэ районым ит школ зыбжанэм Совет Союзым и ЛIыхъужьхэм я цIэхэр илъэс блэкIахэм фIащу ирагъэжьащ а Iуэхур. Абы щыгъуэм Калараш Дмитрий и цIэр фIащащ школ №80-м, 75-нэм хуагъэфэщащ Малышев Алексей и цIэр, №83-м — Языджан Давид, №99-м Тормахов Дмитрий сымэ. Абыхэм ящыщт Совет Союзым и ЛIыхъужь Ачмыжь Айдэмыр — абы и цIэр зэрехьэ 1976 гъэ пщIондэ илъэсибгъу еджапIэу КIыщмей Иным дэта, иджы курыт еджапIэ хъуа школым. ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу иджыри еджапIэ зыбжанэм хуащIауэ щытащ апхуэдэ щIыхь. Абыхэм щылажьэхэмрэ жылагъуэмрэ я жэрдэмыр къалэ унафэщIхэм даIыгъри, фронтым Iута-хэм, тылым зи гуащIэ щемыблэжахэм, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм, творческэ, щIэныгъэ интеллигенцэм, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэтахэм я цIэхэр школхэм фIащащ. Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус адыгэхэр иригушхуэу я лъэпкъэгъу зыкъомым я цIэхэр иджы зэрахьэ Сочэ и школхэм. Апхуэдэу, Хьэжыкъуэ дэт 94-нэ курыт еджапIэм Тхьэгъуш Исмэхьил и цIэр зэрехьэ, Ачмыжь Хьисэ и цIэр фIащащ Махуэпс дэт 79-нэ школым, Хъущт Мэжид и цIэкIэ щытщ школ №93-р (Ашэ). ТIуапсы щIыналъэм хиубыдэ жылэхэм дэт школищми зэрахьэ хы ФIыцIэ Iуфэм Iус адыгэхэм къахэкIа лIы щэджащэхэм я цIэхэр: Гергиевскэм дэт школми фIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Тхьэгъуш Исмэхьил и цIэр, Агуй-Шапсыгъым и школым щIэныгъэ-селекционер цIэрыIуэ Тхьэгъуш Нухь и цIэр зэрехьэ, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран Щхьэлахъуэ Ахьмэд и цIэр хуагъэфэщащ Псыбей курыт школым. Шыпш Даянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100454.txt" }
Нартыхумрэ сэхуранымрэ щыбэвщ Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэтауэ щагъэлъэпIащ Губгъуэм и махуэр. Абы ирихьэлIэу КъБР-м Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм семинар-зэхыхьэ къызэригъэпэщащ нартыхумрэ сэхуранымрэ зэра-гъэкI щхьэхуэныгъэхэм ятеухуауэ. ЗэIущIэм хэтащ мэкъумэш щIэныгъэм елэжьхэри, IэнатIэм Iуэху щызыщIэхэри, мэкъумэшхэкI къыщIэзыгъэкIхэри, щIыналъэхэм щыIэ АПК-м я лIыкIуэхэри. Ар къыщызэIуихым КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн жиIащ мыпхуэдэ махуэхэр гъавэхэкI хэха зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуауэ республикэм зэрыщекIуэкIыр. — Къэбэрдей-Балъкъэрым нартыхумрэ сэхуранымрэ гъэкIыныр щыхабзэу къэплъытэ хъунущ. Псом хуэмыдэу нартыху гъэкIыным гъэ къэс цIыху нэхъыбэм зрат, — жиIащ министрым. — 2010 гъэм нартыху щыхаса губгъуэр гектар мин 67,5-рэ фIэкIа мыхъуу щытамэ, мы илъэсым ар гектар мини 138,1-м нэсащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, нартыхуу тIукIэ нэхъыбэ хасащ икIи гъавэ щIапIэ губгъуэм и процент 62-р абы иубыдащ. Апхуэдэуи кърахьэлIэм и бжыгъэр процент 48-кIэ хэхъуащ, нэгъабэ нартыхуу зы гектарым центнер 70 къытрахащ». Апхуэдэ хэхъуэр къэзыхьар псы щIэгъэлъэдэныр нэхъ тынш зэрыхъуарщ. НобэкIэ къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIыгъэхэм псы зэрыщIагъэхьэ машинэу 212-рэ иIэщ, абыхэм щIы гектар мин 20 къызэщIаубыдэф. Абы хохьэ мэкъумэш IэнатIэм пэрытхэм ягъэува машинэ 38-ри, абыхэми гектар 3130-рэ псыкIэ ягъэнщIыф. Мы илъэсым и кIэ хъуху иджыри щIы гектар 5409-м тыншу псы щIэлъадэу ящIынущ. Сыжажэ Хьэсэн зэрыжиIамкIэ, ди республикэм нартыху гибрид жылэ щхьэхуэ егъэкIыж. «Ди къалэн нэхъыщхьэу къоув фIагъ лъагэ зиIэ нартыху жылэ къэдгъэхъуу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и бренду мэкъумэш Iуэхум хыхьэныр», — дыщIигъуащ къулыкъущIэм. Семинарыр иуха нэужь, хьэщIэхэм нартыху губгъуэр къызэхакIухьащ, сэхураныр къызэрыкIыр къапщытащ. ШЫПШ Даянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100458.txt" }
Пхъэидзэр къапоплъэ «Зы мандат зиIэ Къэбэрдей-Балъкъэр хэхыпIэ округ №14-м» и депутату къагъэлъагъуэхэмрэ политикэ партхэмрэ ящIэн папщIэ: Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и еянэ зэхыхьэгъуэм и депутатхэр щыхахыну фокIадэм и 19-м ипэ къихуэу, КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм нобэ сыхьэти 10-м щекIуэкIынущ кандидатхэм яхэту зыкъэзыгъэлъэгъуа политикэ партхэр телевиденэмрэ радиомрэ къызэрыщыпсэлъэну чэзур, апхуэдэуи я Iуэху еплъыкIэхэр газетхэм къызэрыщытрадзэнур зыгъэбелджылы пхъэидзэр. УпщIэ зиIэхэр псалъэ хъунущ 8(8662) 40-81-22 телефон номерымкIэ. КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100463.txt" }
Насып вагъуэ Си къуэрылъхум ипхъу цIыкIу Амал дунейм къыщытехьам икъукIэ абы щыгуфIыкIа сабийхэм ятеухуа мы сатырхэр сыхуейт тыгъэ яхуэсщIыну ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ, лъэпкъыр бэкIэ зыщыгугъ Адыгэбзэ Хасэм и къызэгъэпэщакIуэхэу, узэщIакIуэхэу Табыщ Мурат, ХьэцIыкIу Рае, Къып Гупсэ сымэ. Абыхэм я псэ къабзэм и къарури, я щIэныгъэ куури, я зэфIэкIхэри зыхуэгъэпсар ди лъэпкъым и быным зеиншафэ къытезыгъэуэнкIэ хъуну Iуэхугъуэ гуэри зэи къэмыгъэхъунырщ, ди щIэблэм и лъым, и пкъынэ-лъынэм хэту къыдалъхуа анэдэлъхубзэр Iурылъ къудей мыхъуу, абы бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр зыхищIэу, жьабзэми тхыбзэми къыщигъэсэбэпыфу Iэмал имыIэу зригъэхъулIэн зэрыхуейр и къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр лъэпкъым и цIыхум къыгурагъэIуэнырщ. КъехъулIам игъэгуфIэу, абы игъэгушхуэу, а зыгъэгушхуэм нэхъ гугъуу къыщыхъум тригъэгушхуэжурэ зе-ужь цIыхумрэ абы и анэдэлъхубзэмрэ яку дэлъ зэхущытыкIэм. Хамэбзэри нэхъ тынш мэхъу къэбгъэIурыщIэну, абы щыдихьэхри мащIэкъым. Ауэ анэм и Iэпэр иIыгъыу япэ дыдэу ду-нейм къытехьэ сабийм зыхихри, илъагъури, зыхищIэри и псэмрэ и зыхэщIыкIымрэ щынэсыр и анэбзэр Iурылъу, ар и гъуэгугъэлъагъуэу япэ лъэбакъуэхэр щичырщ. Мыбдеж, гугъущ жыпIэу, сабийм и бзэр къыIурыпчрэ хамэбзэкIэ зэпхъуэкIмэ, ар къэзылъхуахэми, къыдалъхуахэми, и лъэпкъэгъухэми, адыгэбзэми зэрыхущытын хуейуэ къыщыхъунур сыт хуэдэ къупхъэм пхуигъэзэгъэну? Езыми сыт хуэдэфэ къы- теуэну? Егупсысыпхъэщ. Сыту пIэрэт щIыжиIар ди лъэпкъ усакIуэшхуэм: «Адыгэбзэр сэ сымыщIэу урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым»? 1 Щымщ дунейр. Махуэшхуэм и кIэщ. Джэдкъаз, Iэщхэр зэгъэжащ. Ди хьэ МотIи зигъэнщIыхукIэ Джэгури и гъуэм ипщхьэжащ. Мэпырхъыж. Зимыгъэхъей, Езэшащи джэгурейр. ЦIыхухэр, гъуэлъыжыгъуэ хъуами, ПIэм екIуэну зи хуэмей: ЯIэщ зымыгъэжеину Щхьэусыгъуэ дахэкIей. Дамир къекIуэкI псалъэмакъым Щыщ зи кIапэ зэхихам И жей IэфIыр дэнэ щыIэм ИмыщIэжу щхьэщихащ. ГуфIэщау долъей — допкIей, ПкIэлъей задэмкIэ дожей, Щхьэгъубжэшхуэр зэIуидзауэ Вагъуэхэм яхудоплъей. (И анэм ещхьщ: абыи фIэфIщ, Вагъуэ бынхэм кIэлъыплъын, Ахэм теуэршэрыхьын). Жэщ дахащэщ. Гъатхэ мазэщ. Уафэр къабзэщ, вагъуэр изщ. Зи тетыгъуэу къэса мазэр Зигъэзыжу тахътэм исщ. Уарэ! Сыт Дамир илъагъур? Е къыфIэщIрэ? Е ар пщIыхь? Мазэм и пэгъунэгъу дыдэу, Дыщэ кIанэу зэщIэлыдэу, Вагъуэ шыр къыщыунэхуащ, Пшэ гуэрэнри трихуащ. «УхокIыж, Дыщэнэ, ей! Къажэ псынщIэу! Умыжей!» НапIэзыпIэм къыщолъэтри, Шыпхъур нос и дэлъхум дей. Ар зыдэплъэмкIэ доплъей… Тобэ! Сыту телъыджащэ А цIыкIуитIым къалъэгъуар! Мазэм игу къызэфIэнащи, ГуфIэ нэпсхэр щIелъэщIыкI, Вагъуэ шыр зришэлIащи, IэплIэ гуапи кърешэкI. Зигъэщхъауэ къоIущащэр — Тхьэшхуэрщ зыщIэр къиIущэщыр. 2 А дакъикъэм ди пэш псоми Телефонхэр щызууащ. КъикI макъамэхэр зырызми, Псоми жаIэр мы зыращ: «Къытехьащ дунейм узыншэу Пщащэ цIыкIу фызыпэплъар. Дывохъуэхъу! Псэ быдэ фхухъу! Лъэпкъым набдзэ ар хурехъу!» ЩыIэу пIэрэ нэхъ гуфIэгъуэ ЦIыху унагъуэм къыпхэхъуэн?! ФщIэрэ щыIэу нэгъуэщI фIыгъуэ Нэхъ насыпкIэ зэджэ хъун?! ХъыбарыщIэр занщIэу йожьэ — Жьыр щIэмыхьэу дэни нос. Хъуэхъухэми зрамыгъажьэ — Псом нэхъ лъапIэр япэу къос: «КъиугъащIэ гъащIэ дахэ Угъурлы хъун ди шыр цIыкIум! Дуней дахэм дэщIэращIэу, Куэдрэ тхурепсэу а цIыкIур! КIыхь ирехъу ди гуфIэгъуэшхуэр, ЦIыхуфI куэдхэр игъэгушхуэу!» Хъуэхъуу хэти и гум илъыр И бзэгупэм къыполъэлъыр. ФымыпIащIэм, фыкъедаIуэ. Фи зэфIэкIхэри къэвгъэнаIуэм, Къытщыхъунущ икъукIэ гуапэ: — «Кърехъу а ди пщащэ цIыкIур Тхуэузыншэу, цIыхуфI цIыкIуу; И псэр къабзэрэ, и бзэр дахэу; И анэбзэри Iурылърэ, Iэзэу псалъэу, тхэуэ, еджэу; Зы тхылъыфIи блимыгъэкIыу; Зэджэу хъуари къемэщIэкIыу; Мыщхьэхынэу, мыжейнэду; Бзэрэ дэуэ, ид мытIэпIу; IэпэIэсэщ къыхужаIэу; Iэр зэIусэм псэ къыпыкIэу; И зэфIэкIхэри гурыхьу; ЦIыхухэм я гум тыншу дыхьэу, МыфэрыщIу, мыщIыкIэншэу Ирепсэу дунейгъэдахэу, СыткIи дахэщ, къыхужаIэу»… Мы ткIуанищыр щхьэ дгъэува? «Хъуэхъу куэд хъурэ?» — щхьэ жаIа? Лъэпкъ гупсысэрщ ар жызыIэр: Хъуэхъур зи бэрщ фIыгъуэр здэкIуэр. 3 Унэм щIэси, щIыбым дэти, Жеижауэ пщIыхьым хэти — Псори къызэщIэхъеящ, Пэш утыкур къайзэвэкIти, ПщIантIэ хуитым зэрыхьащ. Нэхущи, зыкIи пщIэнкъым жэщу, Епэр цIыкIухэми я дунейщ. Гъатхэ мазэм уемызэшмэщ Дахагъ псомкIи ущыбейр. Хьэуа къабзэм жыг гъэгъахэр Нэхъуеиншэу зэхежыхь. И шкIур макъымкIэ дигъафIэу ПсыIэрышэри йожэх. КIущэ Нагъуи и шыритIыр КъыщIишау удзыпцIэм хэсщ. Къуэ къищIа и хьэпшыр ПIотIи ТIэпIу игъэшхауэ щысщ… ГъэщIэгъуэнкъэ, джэду шырхэр Хьэпшыр хъыжьэм щымышынэ — Ар ялъытэ къуэш ещанэу: Зэдоджэгу, зобэн, зэдошхэ, Зэрахабзэщи зэкъуэшхэм. Гумызагъэщ икъукIэ Нагъуэ: Къимылъыхъуэ зэи псэхугъуэ: (Къуищ гъэсэныр тынш фи гугъэ?) Жэщи-махуи мэпIейтей, НитIри зэу здимыгъэжей, Зыр щыжейм деж, плъырщ адрейр. Ар къыщоплъкIэ, жиIэ хуэдэщ: «Си шырищри хуейщ гулъытэ». ЦIыкIухэм анэм игу хуагъэфI: «Дуригъусэщ. ПIы быныфI». Гуапэ щохъури ахэм жаIэр, Игу зэгъауэ мэгъуэлъыж. Лъабэ щабэмкIэ бынищыр И бгъэ хуабэм щIекъузэж. Гъатхэ жэщыр ибг иуащи, Дади мащIэу мэпIейтей: «Куэдщ ныщхьэбэкIэ вгъэхъахэр, Нэхъыбэж фщIэн хуейщ пщэдей: Мазэ Нагъуи Вагъуэ Шыри Хъуэхъухэр яхуэвгъэшын хуейщ. Фыгъуэлъыж. Фыжей. Къыфпоплъэ Телъыджащэу пщIыхь дуней. Дэри пщэдейжэщ дапоплъэ ХьэщIэ лъапIэу куэдыкIей». Дадэ и псалъэ тIэужыIэ ИрагъэщIу фэ флъэгъуа? Я къалэнхэр зэфIагъэкIри, ЕпсынщIэкIхэу гъуэлъыжащ — ПщIыхьхэр тIэкIу зрагъэжьами, Псори арэзы хъужауэ Щхьэж и Iуэхум пищэжащ. 4 Насыпышхуэр зи Iэпэгъухэм Ди гуфIэгъуэр къыддаIэту Къытхуоблагъэ куэдыкIей: Iыхьлы, благъэхэр, ныбжьэгъухэр, Ди лэжьэгъухэр, ди гъунэгъухэр. Я сабийхэри я гъусэщ, Нэмыс дахэри яхэлъщи, Гуапэ тщохъур Iыхьэлейу. Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ Нэмыс-хабзэр здэщымыIэм Насып нэси щымыIэнкIэ Хъуну жеIэ лъэпкъ гупсысэм. Абы шэч хэт трихьэн? Фегупсысыт: нэгъуэщIу хъун? Нэмыс Насыпым хуэпэжщ: Цырхъ зэхихмэ — нос и деж. Гуапэу, екIурэ-зэкIужу Яхэтщ цIыхухэм нэжэгужэу. Нэр пIэпехыр и дахагъым, Псэр ехьэху и щэныфIагъым. Сыт и уасэ и хъуэхъубзэу, Щыбзэрабзэр и анэбзэр, ФIыгъуэр зи бэу адыгэбзэр? БзэрэбзэхукIэ, бзэм зеужьыр, Щхьэхыр текIуэмэ, мэужьых. Зызыужьырщ зиIэр гъащIэ — Лъэпкъ Iущыгъэм шэч хуумыщI: Умыщхьэхмэщ дахэ щыпщIэр, ХъугъуэфIыгъуэри щымыкIуэщIыр. Псори псэкIэ зыхэзыщIэ Ди Iущ цIыкIухэр къицIыхуащи, Нэмыс дахэ къохъу гумащIэ, Ягу хигъахъуэу къодэхащIэ, Къигъэгушхуэу, къегъэпIащIэ: «Маржэ, ди угъурлы цIыкIухэ! Фэркъэ псори дызыпэплъэр! Телъыджалъэхэр къэфтIатэт, Налкъут илъхэр къэфщIт сэтей, Дыхэвгъаплъэт хъуэхъу дунейм!» — ЖиIа закъуэ ар Нэмыс! — ЦIыкIухэм Iэджи къагупсыс. ГуфIэгъуэшхуэр здэзыгуэшхэм Я зэфIэкIхэри мэхъу гунэс. «Акъыл Жанхэр» къызэхуэсри, Гуп дыгъэлу къэтIысащи Я акъылхэр щIалъыкIыж — Жан-ым къикIыр ягъэпэжри, Ахэр мыбэлэрыгъыжщ. 5 Джэгу-зэпеуэр зэхаублэ: ПыIибл зэуэ драдзей. Намыгъэсу щIым, хуэIэзэу Къаубыдыжхэр ахэр зейм. ГуфIэгъуэбзэр зэролъэлъ: Хъуэхъухэр пыIэхэм къолъэлъ. Къоджэр хэти хуейм хуэдиз. Гухэхъуэгъуэщ: къахьыр фIыщIэ изщ. Я анэбзэмкIэ бзэрабзэу КъэзыгъэIухэм я хъуэхъубзэр ФIыщIэгуапэхэр къылъагъэс. Саният псори егъэгушхуэ, И гупсысэр дэни нос. КъызэIуах абдеж джэгушхуэ — Зэпеуэнухэри къос. ЯгъэбжьыфIэу утыкушхуэр Япкъ мыхъейуэ зэблосыкI. АпхуэдизкIэ удахьэхри, Нэр тепхыну уигу пымыкI. Хэтщ абыхэм Идар цIыкIуи, И шыпхъуитIыр игъэгушхуэу. Гъунэгъу щIалэхэу Айдари, Айдамыри, Амырхъани… НыбжькIэ жыжьэ нэмысами, Ахэм куэд яхузэфIокI — Уемыплъын пхузэфIэмыкI: Хэти жьэкIэ пшынэ йоуэ, Бэрэбанэр игъэпсалъэу, Хэти псалъэ емылыджхэр Гугъу демыхьу егъэсэф. Iэсэ хъуахэр игъэгушхуэурэ Псэр дихьэхыу къепсэлъыф. Къантемыр дахащэу къофэ, Къыдишау Аледэ шыр. Къреш Iэзэу уэрэд цIыкIухэр Къуэш нэхъыщIэ Жантемыр. 6 Дамир ешкъым — хетIэ-хесэ, ЕщI Дыщэнэ ислъэмей, Зэзэмызи зэпегъэури, Вагъуэ Шырым худоплъей, ЩогуфIыкIыр, нащхьэ хуещI. Къэхъупауэ псэлъэрей, Мэбзэрабзэ гуфIэрейр: «Жэщ дахащэр зыгъэнэху, Сыт ухуэдэ, ди Шыр Нэху? ЩыщIэращIэм дунеишхуэр ФыкъытхуигъэщIащ ди Тхьэшхуэм. ФIыгъуэу щыIэм я дамыгъэщ Къытхуалъхуа ди сабий дыгъэр. Фэ цIыкIуитIыр тIури зэуэ Фыкъыщытехьам дунейм, Къэхъухэр къытхуэмыщIэт зыми: Къытщыхъут къаблэу ЩIы Хъурейр. ЗимыщIэжу жэщыбг уафэм Лэгъупыкъухэри пигъэнат. Телъыджащэтэкъэ ар! Дызоплъыжыр, щым дыхъуау. Медан докI — зыкъыдощIэжри, Щхьэусыгъуэри къыдощIэж — Ар дэ псоми ди зэхуэдэ Насып кIуапIэ гукъыдэжщ. ЦIыкIуи ини дыфхуохъуахъуэ ГъащIэ дахэ къэвгъэщIэну! Уафи щIылъи ФIым и Лъахэр Фи нэхугъэм щымыщIэну! НасыпыфIэу фыпсэуну! Фыпсэуху фыузыншэну! Демызэшу фхуэдгъэш хъуэхъухэр Тхьэшхуэм жиIэ къабыл хъуну!» 7 Вагъуэхэри мабзэ, мадэ. Дыщэ дамэхэр традэ: Пщэдей ахэм я парадщ, Дэри деплъын ди мурадщ. Нурыр зи бэу бын дахащэм, Вагъуэ Шыру къабзэкIейм, Мазэ Нагъуэ цIэ хуэфащэ Насып жери къыфIищащ, И щхьэцыгъуэм щыщ налъищи ЦIэфIэщ джанэу щитIэгъащ. НэфIэгуфIэу нэкIуху фIыгъуэр Нэхъ лъэщыжу лыд къыпфIощI. Пщащэ цIыкIу ди гурыфIыгъуэм, Ди Тхьэ, Насып Вагъуэ хуэщI! КЪУМАХУЭ Хьэлимэт. Аруан (Мысостей) къуажэ Stardust flowing from an open hand. Digital illustration.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100467.txt" }
Къуэдзыр Италием къыщыхожаныкI Италием и Удине къалэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ Европэм и Кубокыр къэхьыным хухэха зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэнащ къэрал 32-м къикIа зи ныбжьыр илъэс 21-м щIимыгъуа дзюдоист 350-м нэблагъэ. «Ovidio Bernes» атлетикэ псынщIэмкIэ спорт аренэм и утыкум къихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен Къуэдз Къантемыр. ПэщIэдзэ зэIущIиплIым и хьэрхуэрэгъухэм шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ къафIэзыхьа ди лъэпкъэгъур финал зэпэщIэтыныгъэм щыIущIащ Франджым и лIыкIуэ Гоберт Максим. Къантемыр зымащIэкIэ кIэух зэIу-щIэм къыщыхагъащIэри, зэхьэзэхуэм и дыжьын медалыр зыIэригъэхьащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы гъэм бадзэуэгъуэм и пэщIэдзэм Португалием Къуэдзым къыщихьащ Европэм и Кубокыр. Ар ягъасэ Иванов Дмитрийрэ Апхуд Андзоррэ. Жыласэ Замир.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100471.txt" }
Джылахъстэнейхэр Урыху къыщызэтоувыIэ Республикэм футболымкIэ и чемпионатым бжьыпэр щызыIыгъ «Тэрчым» Лэскэн щIыналъэм очкоитI щыфIэкIуэдащ. Иджы абы гъунэгъу дыдэ къыхуэхъуащ «Родник»-мрэ «Энергетик»-мрэ. Джылахъстэнейдэсхэр Урыху зэрыщымытыншынур гурыIуэгъуэт. Абы и къуажэ командэр республикэм щынэхъыфIхэм хабжэ икIи хэти ирагъэкIуэтыфынущ. Апхуэдэуи къэхъуащ: текIуэныгъэм хуэпабгъэу къахуэкIуа зэхьэзэхуэм щыпашэ «Тэрчым» я деж ерагъкIэ зы очко щызыIэригъэхьэфауэ аращ. Абы и зэранкIэ пашэм къылъэщIыхьэжащ «Родник»-мрэ «Энергетик»-мрэ. Уеблэмэ, очко яфIэкIуэдахэр къэплъытэмэ, зы очкокIэ ахэр япэ ищащ. Псынэдахэдэсхэмрэ Прохладнэ и командэмрэ еплIанэ джэгугъуэм щызэIущIэн хуеяуэ щытащ, арщхьэкIэ ягъэIэпхъуат. Иджы абыхэм езыр-езыру мыгувэу зэхагъэкIыфынущ бжьыпэр хэт нэхъ хуэфащэми. ИджыпстукIэ тIури хуабжьу лъэрызехьэщ икIи турнир таблицэм щызэдобакъуэ, къанэ щIагъуэ щымыIэу бжыгъэ псомкIи зэтехуэу. Джэгугъуэ блэкIами зэхуэдэу бжыгъэшхуэкIэ щытекIуащ. «Энергетик»-м Малкэ къуажэм уанэгур хэгъэрейхэм щафIиубыдащ. «Родник»-м «ЛогоВАЗ»-р хущIригъэгъуэжащ Бабугент къызэрыдэкIар, пщIэнейрэ и гъуэр хигъащIэри. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Псынэдахэ и футболистхэм ягъэзэкIуэжащ, иджыри къэс зыри къапэмылъэщауэ, тхьэмахуэ ипэкIэ Кэнжэ къуажэм бжыгъэшхуэкIэ япэу къызэрыщыхагъэщIар. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, а жылэ дыдэм 0:3-уэ иджы щыфIахьащ иужь зэIущIищым зэкIэлъхьэужьу щытекIуауэ щыта «Ислъэмейм». Зэхьэзэхуэм етIуанэ текIуэныгъэр къыщихьащ «Эльбрус»-м. Тырныауздэсхэм я унэм щыхагъэщIащ Старэ Шэрэдж къуажэм къикIахэр икIи турнир таблицэм ахэр увыпIэкIэ щызэхъуэжащ. Нарткъалэ и «Нартыр» аргуэру къызэрыхагъэщIам щIэщыгъуагъ хэлъыжкъым. Гугъэ гуэрхэр уэзыгъэщIыр иджы ар бжыгъэшхуэкIэ къызэрымыхъуаращ. КъыхудагъэкIари топиплI (!) къудейщ. Ику иту зэIущIэ къэс топихым щIигъуу нобэр къыздэсым къекIуэкIащ. Щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Малка» (Малкэ) — «Энергетик» (Прохладнэ) — 1:7, «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «Спартак-Д» (Налшык) — 3:0, «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) — «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) — 0:2, «Урыху» (Урыху) — «Тэрч» (Тэрч) — 1:1, «Шэрджэс» (Шэджэм) — «Нарт» (Нарткъалэ) — 4:2, «Эльбрус» (Тырныауз) — «Шэрэдж» (Старэ Шэрэдж) — 3:0, «Родник» (Псынэдахэ) — «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — 10:2, «Кэнжэ» (Кэнжэ) — «Ислъэмей» (Ислъэмей) — 3:0. Зи чэзу джэгугъуэм ипкъ иткIэ дызыхуэкIуэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ зэIущIэнущ: шыщхьэуIум и 2-м — «Ислъэмей» — «Родник», «Псыгуэнсу» — «Кэнжэ», «Энергетик» — «Шэджэм-2», «Тэрч» — «Шэрджэс»; шыщхьэуIум и 22-м — «ЛогоВАЗ» — «Урыху», «ХьэтIохъущыкъуей» — «Шэрэдж», «Спартак-Д» — «Эльбрус», «Нарт» — «Малка» командэхэр. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100474.txt" }
Налшык щыхьэщIэнущ «Кавказым и симфониер» Кавказ Ищхъэрэм фокIадэм концертышхуэ щитынущ Ленинград щIыналъэм и къэрал симфоние оркестрым, Санкт- Петербург къалэм щыщ маэстрэ Голиков Михаил зи унафэщIым. Зэраубзыхуам тету, фокIадэм и 28-м ар Налшык къэкIуэнущ. Оркестрыр цIэрыIуэ ирихъуащ и дэтхэнэ концертри щэнхабзэ зэхыхьэ гуапэ, гукъинэж зэрыхъумкIэ. Абы хэтщ музыкант Iэзэхэр, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреатхэр. КъыжыIапхъэщ, Ленинград и Симфоние оркестрыр Урысейм и гуп нэхъ щIалэхэм зэращыщыр. Абы иIэщ дунейпсо симфоние музыкэм и жанр, унэтIыныгъэ псоми щыщ лэжьыгъэ гурыхьхэр. Гупым и дэтхэнэ программэми — классикэ оперэм щыщIэдзауэ рок-хит кроссоверхэм нэсу — оркестрым и артистхэр хуэIэкIуэлъакIуэщ. Музыкантхэм Налшык щатыну программэм хагъэхьэнущ адыгэхэм я академическэ музыкэ щэнхабзэм и нэхъыфIхэр, кинофильмхэм хуатха макъамэхэр, рок-щэнхабзэмрэ классикэмрэ щызэхэухуэна, щIэупщIэ зиIэ кроссоверхэр. Концертым и япэ Iыхьэм утыку къыщрахьэнущ «Черкесский альбом» симфониер. Абы хагъэхьащ макъамэ щэнхабзэм и нэхъыфIхэр. Концертым щагъэIунущ Мосолов Александр, Ряузов Сергей, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Къэбэрдокъуэ Мурат сымэ я IэдакъэщIэкIхэр. Голиков Михаил зэрыжиIэмкIэ, адыгэ макъамэм дихьэхащ «Симфония Кавказа» щэнхабзэ проект иным хэта нэужь. Аращ дунейпсо щэнхабзэм и гъунапкъэщIэхэр къызэIухыным хуэгъэпса, адыгэ макъамэр зи лъабжьэ проектым пищэным маэстрэр тезыгъэгушхуари. ЕтIуанэ Iыхьэм щагъэзэщIэнущ совет, голливуд фильмхэм щIэлъ музыкэ нэхъыфIхэр, академическэ концерт залхэм куэдрэ щымыIу макъамэхэр — кроссоверхэмрэ рок-хитхэмрэ. ИлъэсиплI ипэкIэ Голиков Михаил къыхилъхьауэ и оркестрым и гъусэу ирегъэкIуэкI «Дым над водой» зэхыхьэр. Ленинград областым и фестивалыр мыгъэрей бжьыхьэм Кавказ Ищхъэрэми щекIуэкIынущ. Пшыхьым ирагъэблэгъэнущ «Голос» зэпеуэм и ея- нэ лъэхъэнэм щытекIуа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскэр, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ, Санкт-Петербург къалэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэ Чэныб Нэфсэт, КъБР-м и цIыхубэ артист, композитор, пианист, Урысейм и композиторхэм я «Партитура» зэпеуэм и «Киномузыка» унэтIыныгъэм щытекIуа Сокуров Александр, Битокъу Владимир, нэгъуэщIхэми я фильмхэм щIалъхьа макъамэхэр яхуэзытха Къэбэрдокъуэ Мурат. Ленинград областым и къэрал симфоние оркестрым пещэ «Таврический» симфоние оркестрым и щэнхабзэ, творческэ щапхъэ дахэхэм. Оркестрым и къалэн нэхъыщхьэр урыс, дунейпсо макъамэ хъугъуэфIыгъуэхэм цIыхубэр хэгъэгъуэзэнырщ, классикэ лэжьыгъэхэр фIыуэ егъэлъагъунырщ. Симфоние, классикэ макъамэхэм, къыдэкIуэу гупым и репертуарым хэтщ балетхэм, оперэхэм, опереттэхэм хуатхахэри. Зэрылажьэ илъэс 12-м къриубыдэу оркестрыр къэрал куэдым, континент псоми щыIащ, урысейпсо, дунейпсо фестивалхэм хэтащ, Мариинскэ, Театр Инхэм я къэфакIуэхэм, оперэ, эстрадэ артист цIэрыIуэхэм я гъусэу зыкъагъэлъэгъуащ, узэщIыныгъэ проектхэр ягъэзэщIащ. Гъэ къэс оркестрым концерти 150-м щIигъу ет. Гупым зыкъыщегъэлъагъуэ Урысейм, Китайм, Германием, Лихтенштейным, Италием, Испанием, Франджым, Австрием, Нидерландхэм, Данием, Швецием, Финляндием. Оркестрыр артист цIэрыIуэхэм ядэлэжьащ. Апхуэдэхэщ Легран Мишель, Мартон Эдвин, Мондельчи Федерикэ, Образцовэ Еленэ, Соткилавэ Зураб, Богачёвэ Иринэ, Бутман Игорь, Осетинская Полинэ, Мечетинэ Екатеринэ, нэгъуэщIхэри. Ленинград областым и къэрал симфоние оркестрым и художественнэ унафэщI икIи дирижёр нэхъыщхьэ, Санкт-Петербург и къэрал консерваторием и доцент Голиков Михаил 2013 гъэм хуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр, «Симфония Кавказа» щэнхабзэ проект иным папщIэ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.19
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100478.txt" }
Жылагъуэр зыхуэдэнур унагъуэращ къыщежьэр Иджыблагъэ кIэщIу фыхэдгъэгъуэзащ унагъуэм, лъагъуны-гъэм, зэхуэпэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу ирагъэжьа «Унагъуэ» Iуэхум. Ар къыхэзылъхьа хьэрычэтыщIэ, псапащIэ, IVS IуэхущIапIэм и унафэщI Нэхущ Азэмэтрэ проектым и программэхэм я унафэщI, Инстаграмым щылажьэ Налшык напэкIуэцIым и редактор, инджылызыбзэр, усэр фIыуэ зылъагъухэм я клубхэр къызэзыгъэпэща Мэзукъэбз Аслъэнрэ унагъуэм и лъапIэныгъэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуауэ яIэ мурадхэм тедгъэпсэлъыхьащ. — Азэмэт, «Унагъуэ» Iуэхур къыщIызэвгъэпэщам, фи къалэнхэмрэ мурадхэмрэ я гугъу къытхуэщIыт. — Психолог Апажэ Валерэрэ сэрэ нэIуасэ, псэлъэгъу дызэхуэхъуа нэужь, унагъуэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм, сабий гъэсэныгъэм теухуауэ щыIэ Iуэху зэIумыбзхэм я гугъу тщIащ. Унагъуэхэм сабийр зэрыщагъасэм дыхэIэбэну ди пщэ дэтлъхьэжыркъым, ди мурадыр зы мащIэ нэхъ мыхъуми зедгъэхъуэжынырщ иджыкIэ щыIэ хъуа щытыкIэм. КIуэ пэтми гъащIэм и лъапIэныгъэхэм, жьымрэ щIэмрэ я зэхущытыкIэхэм, хабзэм, нэмысым зэрахэщIым гу лъыботэ. ХэдмыгъэтIасэу дызэкъуэувэрэ мы Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуэтщIмэ, зэхъуэкIыныгъэфI зэрыщыIэнум шэч хэлъкъым. Ауэ, иджырей щыты-кIэм дыкъытемыкIыу дыкIуэмэ, илъэсипщI дэкIмэ, щIалэгъуалэр тIэщIэкIынущ. Мылъку хэхыпIэ, ахъшэ къэлэжьыпIэ мыхъуу, мыр жылагъуэ Iуэхущ. Унагъуэм теухуауэ щыIэ хъуа гупсысэкIэ, еплъыкIэ мышум, щытыкIэм зедгъэхъуэжыну дыхуейщ. Адэ-анэм я жыIэм ущIэтыныр зэрыпэжыр, зэрызахуэр щIэблэм зыхедгъэщIэныр, фIымрэ Iеймрэ, мыхъумыщIагъэмрэ дахагъэмрэ зэхагъэкIыфу къэхъуным щIэпIыкIынырщ ди къалэнхэмрэ мурадхэмрэ зыхуэунэтIар. Нэхъ пасэм унагъуэм иIа пщIэр, илъа зэхущытыкIэ дахэхэр, щызекIуэу щыта хабзэхэр къэдгъэщIэрэщIэжы-нырщ нэхъыщхьэу зи ужь дитыр. Дуней псор зыгъэгузавэ а Iуэху зэIумыбзым и щытыкIэм нэхъыфIкIэ зытхуегъэхъуэжынущ абы игъэгузавэ дэтхэнэри дызэкъуэувэрэ ди еплъыкIэхэр утыку къитхьэмэ. Ди къалэн нэхъыщхьэр зэхуэпэжыныгъэр, лъагъуныгъэр, дзыхьыр зи лъабжьэ унагъуэ дахэхэм я бжыгъэм хэдгъэхъуэнырщ, адэ-анэхэмрэ я бынхэмрэ я зэхущытыкIэ-хэр нэхъри дгъэбыдэнырщ, едгъэфIэкIуэнырщ. Абы ехьэлIа программэхэр диIэщ. Адэ-анэр зыхуэныкъуэ чэнджэщхэр зи лъабжьэ лекцэ, семинар щхьэпэхэр къызэдгъэпэщынущ. — Унагъуэм ехьэлIа Iуэху зэIумыбзым игъэпIейтейхэр зэрымымащIэр, абы зи псалъэ хэзылъхьэну хуейхэр зэрыщыIэр, дауи, фIыщ. — Жылагъуэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэр ди тегъэщIапIэу утыку дыкъызэрихьарагъэнщ, къыхэтлъхьа Iуэхур куэдым къыщIыддаIыгъар. ГугъэфIхэр дегъэщI икIи гуапэщ унагъуэм и нобэрей Iуэху зэIумыбзхэм хэкIыпIэ къахуэгъуэтын хуейуэ къэзылъытэ IэщIагъэлI зыбжанэ къызэрыткъуэувар. Апхуэдэхэщ республикэм фIыуэ къыщацIыху психолог Iэзэ Апажэ Валерэ, «Унагъуэ» проектым и программэхэм я унафэщI Мэзукъэбз Аслъэн, «TPИZ Центр» IуэхущIапIэм и унафэщI Махуэ Нурхьэни-Мила- нэ, Инстаграмым щиIэ «Унагъуэ» проектым и редактор Апэжыхь Альбинэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Гупым хэтыр щIэныгъэ зыбгъэдэлъ защIэщ. КъищынэмыщIауэ, зызыхуэдгъазэ цIыхуу хъуар ди лъэныкъуэщ. ЗэрытщIэщи, зи IэщIагъэм хуэIэижь, щытхъу зиIэ IэщIагъэлIхэр сыт щыгъуи мащIэщ. Сабий гъэсэныгъэм ехьэлIауэ дэтхэнэ зы унагъуэ щапхъэри ди нэ-ди псэщ. — Аслъэн, Iуэхум ехьэлIауэ зыхуэвгъэувыжа къалэнхэмрэ мурадхэмрэ зэвгъэхъулIэн папщIэ сыт фщIэр? — Унагъуэм, дахагъэм, къабзагъэм, лъагъуныгъэм, узыншагъэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, гъэсэныгъэм гу лъедгъэтэн папщIэ, абыхэм ехьэлIа программэ зыбжанэ дгъэхьэзыращ. Республикэм и зыгъэпсэхупIэ, нэгузыужьыпIэ паркхэм сурэтхэр щызытрагъэх щIыпIэхэр, хъыринэхэр щыдогъэув. Сабийр трагъэу къудей мыхъуу, абыхэм я къалэныр куэдкIэ нэхъ инщ. ГъащIэм, унагъуэм и лъапIэныгъэхэм къыхуезыджэ псалъэхэр тхауэ я нэгу щIэтынущи, хуей-хуэмейми, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ ягу ираубыдэ, сурэтхэм еплъыжыху а лъапIэныгъэхэм къыхураджэу, гу лърагъатэу. МыхъумыщIагъэхэм я гугъу тщIынукъым, арыншэми ахэр гъащIэм щымащIэкъыми. Зи акъылыр нэсу зэтемыува ныбжьыщIэхэм я акъылыр Интернетым «зэригъэутхъуэр», я дуней тетыкIэм зэран зэрыхуэхъур нобэ ди нэгу щIокI. Адэ-анэхэр мэлажьэ, унагъуэр зэрагъэпсэуныр япэ ирагъэщу. Армырми, нэхъыжьхэр зы Iуэху гуэр щыпэрыткIэ, сабийм телефоныр IэщIалъхьэу щызыщхьэщагъэкI куэдрэ къохъу, махуэ къэс быным гулъытэ хуэщIын, епсэлъэн зэрыхуейр Iэпэдэгъэлэл ящIу. Апхуэдэурэ цIыкIухэр Интернетым дехьэхыпэри, ар зэран яхуохъу адэ-анэмрэ бынымрэ я зэпыщIэны-гъэм, сыту жыпIэмэ сабийм хуэщIыпхъэ гулъытэ хэхар и чэзум игъуэтыркъым. КъищынэмыщIауэ, щIэблэм зэманым и лIыхъужьу къалъытэ хъуащ зыми щымыщ, зыкIи гугъу зезмыгъэхь цIыхухэр. Инстаграмым дытемыкIуэми, ар къэдгъэсэбэпу щIалэгъуалэм я гупсысэм фIы и лъэныкъуэкIэ зедгъэхъуэжыну, ИнтернетымкIэ ди лэжьыгъэхэр зэбгрыдгъэкIыну ди мурадщ. Абы и лъэныкъуэкIэ IэмалыфIщ ди напэкIуэцIыр щыдгъэлажьэ Инстаграмыр, нэхъыбэу хъыбархэр щызыIэпах социальнэ сайтхэр. КIэщIу жыпIэмэ, щIалэгъуалэ псори къызэщIэдубыдэн папщIэ, Интернет сайт лIэужьыгъуэхэр къэдгъэсэбэпынущ. Зэзэмызэ мыхъуу, Iуэху зэIумыбзыр зэрыдгъэзэкIуэжыным махуэ къэс дыкъытеувыIэмэ, абы зэхъуэкIыныгъэхэр тхухэлъхьэнущ. ЗэрытщIэщи, иджыпсту тхылъ еджэхэр мащIэщ, жып телефоным еплъмэ нэхъ къащтэ. Аращ видеонэтынхэр къэдгъэсэбэпурэ Iуэху зэIумыбзхэр зэпкърытхыным дыкъыщIытеувыIар. ЯпэщIыкIэ семинархэр едгъэкIуэкIынущ. Дохутыр, нарколог, психолог жыпIэми, щIэныгъэ зиIэ IэщIагъэлIхэр къедгъэблэгъэнущ. Iуэху зэIумыбз зэрылъ унагъуэхэм чэнджэщ къудейкIэ мыхъуу, пщIэншэу IэщIагъэлIхэм хуэдгъэзэфынущ. Семинархэм щытрахыну видеонэтынхэри ИнтернеткIэ зэбгрыдгъэкIынущ. Апхуэдэу ди мурадщ унагъуэм ис псори дэзыхьэхыну икIи зэкъуэзыгъэувэну зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр, щIыпIэ дахэхэм зыщыплъыхьыныр къызэдгъэпэщы-ну. — Унагъуэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ Iуэху япэ ивгъэщыну фи мурадыр? — Дауи, куэд и уасэщ узыгъэпIейтей Iуэхум и зэманым гу лъатэным. Ар щыхагъэтIасэкIэ, хэкIыпIэхэр къэбгъуэтыну, бгъэзэкIуэжыну куэдкIэ нэхъ гугъу мэхъу. Япэ идгъэщынухэм ящыщщ адэ-анэхэмрэ я бынхэмрэ я зэпыщIэныгъэр дгъэ-быдэныр. Мы зэманым ар тIас-хъэщ. Сабийм зэрыджэгу хьэпшып, смартфон, планшет, компьютер къыхуэпщэхурэ и зэманым гулъы- тэ хуумыщIмэ, уемыпсалъэмэ, а зыхуэчэмам иужькIэ зыкъуигъэ-щIэжынущ. Аращ абыхэм и чэзум гу лъедгъэтэну дыщIыхуейр. Адэ-анэм емыпсэлъэф, зыгъэпIейтейхэр зыущэху сабий куэд щыIэщ. Абыи хэкIыпIэ къыхуэдгъуэтащ. Зы сабий гуп зыгъэгузавэ упщIэхэмкIэ адэ-анэ псоми зыхуедгъэгъэзэну ди мурадщ. Ар упщIэ-жэуап щIыкIэм тету къызэдгъэпэщынущ икIи сабий псоми яхуэгъэзауэ адэ-анэхэм къатыжыну жэуап нэхъыфIхэри къэдгъэлъэгъуэнущ. Ди гуапэ зэрыхъущи, щапхъэ зытетхыпхъэ цIыхухэр ди мащIэкъым. УнагъуэфIхэр дгъэлъэгъуэну, илъэс куэд хъуауэ зэбгъэдэс зэщхьэгъусэхэм я чэнджэщхэр щIэблэм зэхедгъэхыну ди мурадщ. Дызыпэрыт Iуэхур зэманым зэрыпэджэжым гу лъатащ. Аращ абы цIыху куэд щIызэщIишэм и щхьэусыгъуэри. Лэжьыгъэм адэ- кIи зедгъэубгъунущ. КъБР-м и Iэтащхьэр ди Iуэхум щыгъуазэщ, республикэм и Профсоюз IуэхущIапIэмрэ Жылагъуэ палатэмрэ къыддэIэпыкъуну дыкъагъэгугъащ. ЩIыпIэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэми дадэлэжьэнущ. Псоми ди зэхуэдэ Iуэхум апхуэдэу дызэкъуэту яужь дитмэ, шэч хэлъкъым дызыгъэгузавэ псоми хэкIыпIэ къазэрыхуэдгъуэтыфынум. Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100480.txt" }
АдыгэлI Иуан Пётр пхиша щIэныгъэ гъуэгур Ди къэралыгъуэм зиужь, ефIакIуэ зэпыту зэрыщытым и щыхьэтщ республикэм и унафэщIхэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ гулъытэ хэха хуащI зэрыхъуар. Нобэ гъащIэм и лъэ-ныкъуэ псоми компьютерхэмрэ технологие пэрытхэмрэ нэсащ. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и щIэныгъэ къудамэ (КъБЩIЦ) 1993 гъэм ди щIыналъэм къызэрыщызэIуихамкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм Iэмал ягъуэтащ дунейпсо зыужьыныгъэм и зы Iыхьэ хъунымкIэ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм ди къэралыр зэрыхуауэ щыта политико-экономикэ щытыкIэ хьэлъэр куэдым ящIэж. А лъэхъэнэм зэтекъутащ жылагъуэр зэпIэзэрыту зыIыгъа, абы и джэлэсу щыта IэнатIэ куэд. Ар дыдэм хуэкIуэрт щIэныгъэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр. Зэманым къаридза удын хьэлъэм ди республикэм и щIэныгъэ IэнатIэхэр къезыгъэла цIыхухэм ящыщщ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РАЕН-м и академик Иуан Пётр Мацэ и къуэр. Абы и фIыгъэкIэ ахэр щIэувауэ щытащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и дамэм, щIыналъэ щIэныгъэ центр хъуауэ. Ди республикэм, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм зэрыщыту щIэныгъэм нэхъри зыщиужьынымкIэ шэсыпIэ хъуащ а центрыр. Абы лъандэрэ илъэс 30-м нэблэгъащи, ди лъэпкъ щIэныгъэр лъагапIэщIэхэм нэсащ, ди еджагъэшхуэхэми унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ зэфIах къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэми я лъабжьэр нэхъ куу, я купщIэр нэхъ лъэщ хъуащ. 1994 гъэм щIэныгъэ центрым къызэIуихащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ и институтыр. Куэд дэмыкIыу КъБЩIЦ-м къызэригъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ институтыр. ТхыдэмкIэ, филологиемкIэ, экономикэмкIэ институтыр (иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр), апхуэдэу Къэбэр-дей-Балъкъэрым Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и институтыр. Ахэр академическэ IуэхущIапIэ хъуахэщ икIи КъБЩIЦ-м и къудамэ щхьэхуэхэу уващ. Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и нэIэм щIэт щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм ящыщщ Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ Урысей Академием ди щIыпIэм щиIэ Бахъсэн нейтриннэ обсерваторэр. Абы и Президиумым егъэщIылIащ ГеографиемкIэ къудамэмрэ редакцэ-тхылъ тедзапIэмрэ. А IэнатIэм пыщIауэ мэла- жьэ РАН-м и Медико-биологие институ-тым Медицинэ-экологие къэхутэныгъэхэмкIэ и щIыналъэ институтыр, РАН-м АстрономиемкIэ и институтым Терскол щиIэ Астрономие обсерваторэр, нэгъуэщIхэри. Мы зэманым щIэныгъэ центрым псори зэхэту щолажьэ IэщIагъэлI 600-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ РАН-м и член-корреспондентхэр, щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я докторхэр, кандидатхэр. Абы и институтхэм щыIэ докторантурэхэм, аспирантурэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ IэщIагъэлIи 150-м щIигъум. Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ институтым экономикэ щIэныгъэмкIэ кандидат, доктор лэжьыгъэр щыпхагъэкI совет иIэщ. «Известия КБНЦ РАН» журналыр пIалъэ хэ-хам тету къыдокI. РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым информатикэмкIэ, кибернетикэмкIэ, экономикэмкIэ, прикладной математикэмкIэ, биологиемкIэ, географиемкIэ, ядернэ физикэмкIэ, астрофизикэм-кIэ, жылагъуэ, тхыдэ-филологие щIэныгъэхэмкIэ къэхутэныгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкI. Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм щыяпэу республикэм и зыужьы-ныгъэм дызэрыхуэкIуэну гъуэгур ди деж щаубзыхужу хъуащ. Информатикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ институтым зэхилъхьащ 2030 гъэ пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зиужьынымкIэ япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэр къыщыгъэлъэгъуа программэ. ИригъэкIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэмкIэ РАН-м и КъБЩIЦ-р япыщIащ УФ-м, хамэ къэралхэм щыIэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэ куэдым. Абы и щIэныгъэлIхэм я зэфIэкI лъагэ-хэм я фIыгъэкIэ, центрым и пщIэр щылъагэщ Урысейм и мызакъуэу хамэ къэ-ралхэми. Центрым къепха институтхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр зэрызэфIахым и щыхьэтщ РАН-м жылагъуэ, гуманитар, техникэ, естественнэ щIэныгъэхэмкIэ зы-Iэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм абыхэм я лэжьыгъэхэри зэрыхалъытэр. Абыхэм щапхъэ яхуохъу я пашэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI Иуан Пётр и Iуэху бгъэдыхьэкIэр. ИригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр къалъытэри, Иуаным хуагъэфэщащ СССР-м и Министрхэм я Советым и саугъэтыр, РАН-м, КъБР-м я ЩIыхь тхылъхэр. Апхуэдэу ар ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Академием (Мюнхен), ЩIэныгъэхэмкIэ Нью-Йорк академием, Естественнэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, нэгъуэщI щIэныгъэ зэгухьэныгъэ зыбжанэми я академикщ, КъБР-м и Iэтащхьэм и деж щыIэ Жылагъуэ советым хэтщ, ЩIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ абы и къудамэм и унафэщIу. Иуан Пётр и цIэр иратхащ США-м къыщыдэкIа «Дуней псом и цIыху щэджащэ 5000» тхылъым. КъБР-м и Iэтащхьэм 2016 гъэм и мазаем и 8-м къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ, Иуан Пётр къыхуагъэфэщащ ди республикэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр — «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр. Ар хэкулIым къихьащ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэ иным къыпэкIуэу. ЩIэныгъэлIым и къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэдым я лъащIэщ бгъэдэлъ гупсысэ куур, зэхэщIыкI лъэ-щыр. Иуаным и зэфIэкIым кърикIуахэр илъэс щIагъуэ дэмыкIыу хагъэхьэ илъэс къэс къыдэкI «РАН-м и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэхэр» журналым. Хэку псор ипэкIэ зыгъэкIуэтэфын лэ-жьыгъэ купщIафIэ яхузэфIох ди щIыналъэм и щIэныгъэлIхэм. Иуан Пётр пхиша щIэныгъэ гъуэгур хэмыгъуащэу, ар нэхъри нэхъ бгъуфIэ хъууэрэ ирикIуэ псоми зыщаузэщIыну ди гуапэщ. Гъунэ зимыIэ а фIыгъуэр — щIэныгъэр — Къэбэрдей-Балъкъэрым зэпIэзэрыту зиужьыным, абы и къэралыгъуэр нэхъри гъэбыдэным, и цIыхухэм я ехъулIэныгъэм нэсу хурела-жьэ. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100484.txt" }
Лъагъуныгъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ зыгъэбыдэ IэшрыI Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ IэшрыI дощI къурмэн зэрыдукIрэ мазэ дэкIа иужькIэ. А махуэм нартыхум е прунжым къыхэщIыкIа хьэнтхъупс ягъавэурэ хьэблэмрэ Iыхьлымрэ къыщрахьэкI хабзэщ. Ар ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ зыгъэбыдэщ икIи умыгъэзащIэкIэ гуэныхь зыпылъкъым. Дауэ къежьа IэшрыIыр икIи сыт абы и мыхьэнэр? «IэшрыI» псалъэр къызытекIар хьэрып «гъашураI»-ращ («епщIанэ» къикIыу аращ). А махуэр муслъымэнхэм ягъэлъапIэ. Ар къыбгурыIуэн папщIэ, тхыдэм куууэ ухэплъэжын хуейщ. Мы Iуэхугъуэр зэпхар Мусэ бегъымбарымрэ абы и лъэпкъымрэ зэгуэрым къащыщIарщ. Иджыпсту «журткIэ» дызэджэ ХьэзрэIил и бынхэр пасэрей зэманым Мысырым (Египетым) щыпсэуащ, Алыхьыр ягъэзакъуэу. Ауэ а лъэпкъым и къежьапIэр а щIыпIэратэкъым. Хэхэсу щытми, абыхэм яхузэфIэкIат здэIэпхъуа къэралым къулыкъушхуэхэр щаубыдыну, щIым и нэхъыфIыр зыIэрагъэхьэну. Ар, дауи, зигу иримыхьхэр куэду щыIэт. Апхуэдэ тепщэгъуэ ХьэзрэIил и бынхэм ягъуэту щилъагъум, Мысырым и фирхьэуным (пащтыхьым) мурад быдэ ищIащ ахэр зэтриукIэну. Абы къыдигъэкIа унафэ ткIийм журтхэм я тетыгъуэр игъэкIуэдырт икIи щIыуэ зыIэрагъэхьари къатрихыжырт. КъищынэмыщIауэ, ХьэзрэIил и бынхэм сабийуэ къащIэхъуэм щIалэ цIыкIуу къахэкIыр яукIырти, хъыджэбзхэр къагъанэрт. А псори фирхьэуным щIищIэр журт лъэпкъыр игъэкIуэдын, щIэблэм я къуэпсыр пиупщIын мурадкIэт. А лъэхъэнэрат Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Мусэ бегъымбарри къыщалъхуар. Унафэ щыIэмкIэ ари яукIын хуейт, ауэ Тхьэм къихъумащ. Алыхьым Мусэ къэзылъхуам унафэ хуищIащ имытхьэлэн хуэдэу и къуэр гущэм трипхэу псым тригъэтIысхьэну. Анэм а унафэр, дауи, фIэкIыпIэншэу игъэзэщIащ — сабий къалъхуагъащIэр гущэм быдэу трипхэри, гъуэгуанэ мыцIыхум тригъэуващ. Зы зэман гуэр дэкIри, гущэр пащтыхьым и унэм деж псым Iуихьащ. Ар унэIутхэм къыщалъагъум, сабийр гуащэм хуахьащ. Абы езым бын иIэтэкъыми, псым къихьа цIыкIур къигъэнэжащ. Апхуэдэу Тхьэм и IэмыркIэ Мусэ бегъымбарыр пащтыхьым и унагъуэм къыщыхутащ. Ар елIалIэу, зыхуей хуэзэу абы къыщагъэхъуащ. Мусэ цIыху пэжу, захуэу, лей зезыхьэр имыдэу къыдэкIуэтеящ. Алыхьым и фIыщIэри абы лъысащ икIи бегъымбару цIыхухэм къахихри, ахэр гъуэгу захуэм тригъэувэжыну къалэн щищIащ. Алыхьталэм къызэрыхихар икIи унафэу къыхуищIар зыхуэдэр абы фирхьэуным и деж нигъэсыжащ. Япэ дыдэу Мусэ бегъымбарым пащтыхьым жриIащ ХьэзрэIил и бынхэм адэкIэ лей яримыхыу хуит ищIыжыну. АрщхьэкIэ а лъэIур игъэзэщIэн пащтыхьым идакъым. Апхуэдэу щыхъум икIи адэкIэ фIы къызэрыпэмыплъэр къыщыгурыIуэм, Мусэ бегъымбарым журтхэр зыщIигъури, жэщым щэхуу ежьащ. Мысырыр ябгынэу Палестинэм Iэпхъуэну абыхэм я мурадт. Мыгувэу фирхьэуным къищIащ ХьэзрэIил и бынхэр зэрыщIэпхъуэжар. НапIэзыпIэм и дзэр зыщIигъури, ар абыхэм якIэлъыпхъэращ. Мусэ и гупыр тенджыз Плъыжьым нэсауэ бийр къылъэщIыхьэу хуежьащ. Iуэхур хэкIыпIэншэ щыхъум бегъымбарыр Тхьэм елъэIуащ ахэр къригъэлыну. Абы и жэуапу Алыхьым и унафэр Мусэ къыIэрыхьащ — иIыгъ башымкIэ ар псым хэуэн хуейт. Апхуэдэу щищIым, тенджызыр тIууэ зэгуэкIри, ХьэзрэIил и бынхэм лъагъуэ къаритащ. Мусэ и гупыр абы ирикIуащ. Журтхэм я гъуэгуанэр къызэрызэранэкIыу, псыр зэгухьэжащ. Абы хитхьэлыхьащ къызэпрыкIыну хунэмыса къакIэлъыпхъэрахэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Алыхьталэм Муси абы и лъэпкъри ахэр зыукIыну хэта фирхьэуным къыIэщIихащ. Ар къыщыхъуа мухьэрэм мазэм и епщIанэ махуэр муслъымэнхэм ягъэлъапIэ икIи абы и щIыхькIэ нэщI зыIыгъхэр мащIэкъым. Дауи, ар яIэт ХьэзрэIил и щIэблэ журтхэми. АрщхьэкIэ, абыхэм ящхь дымыхъун щхьэкIэ, ди ЛIыкIуэ ЛъапIэм унафэ къытхуищIащ зы махуэ абы и пэкIэ е иужькIэ щIыгъун хуейуэ. Аращи, журтхэр мухьэрэм мазэм и епщIанэ махуэм и закъуэ нэщIмэ, муслъымэнхэм ебгъуанэр е епщыкIузанэр абы дыщIагъу. Махуищми унэщIмэ, нэхъыфIыжщ, ауэ ар Iэмал зимыIэу щыткъым, псапэ нэщIу аращ. Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «IэшрыI махуэм къэбнэщIам илъэс блэкIам и гуэныхьыр егъэгъу». НэгъуэщI зы хьэдиси щыIэщ. Бегъымбар лIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Шэч хэмылъу, нобэ IэшрыIщ. Фэ а махуэр къэвнэщIыну фи къалэну щыткъым. Ауэ сэ сонэщI. Хэт хуейми нэщI иреIыгъ». Къызэрыхэдгъэщащи, IэшрыIыр муслъымэн махуэрыбжэм и мухьэрэм мазэм и епщIанэ махуэм тохуэ. Мы гъэм ар ирохьэлIэ нобэ, шыщхьэуIум и 19-м. Абы къыкIэлъыкIуэ махуитIри лъапIэщ. Бадзэуэгъуэм и 27-м къыдэкIа «Ислъамым и нурым» фызэрыщыщыдгъэгъуэзащи, хуейхэм псапэ нэщI ирахьэкI шыщхьэуIум и 18 — 19-м е 19 — 20, 18 — 20 махуэхэм. Тхьэм къабыл ищI! ЕтIанэгъэ пIалъэ гуфIэгъуэкIэ Алыхьым дынигъэс! ТАМБИЙ Линэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100489.txt" }
Лъэпкъ мащIэм и къару лъэщ Илъэс 29-рэ ирикъуащ Куржы-Абхъаз зауэм зэрыщIидзэрэ. Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ махуэм, хабзэ зэрыхъуам, тету Iуэхугъуэхэр щекIуэкIащ Сыхъуми, республикэм и щIыналъэхэми. ЩIыхьым и мемориалым удз гъэгъахэр тралъхьащ Абхъаз Республикэм и Президент Бжание Аслъэн зи пашэ къулыкъущIэ гупым, зауэм и ветеранхэм, хэкIуэда щIалэхэм я адэ-анэхэм, жылагъуэм, щIалэгъуалэм я лIыкIуэхэм. АР-м и япэ президенту щыта Ардзинбэ Владислав и кхъащхьэри гулъытэншэ ящIыркъым а махуэм, ар къыщалъхуа Эшерэ къуажэм дащIыхьа мемориал фэеплъым удз гъэгъа Iэрамэхэр тралъхьащ. Апсныр яхуэщыгъуащ мамыр гъащIэр зи фIыщIэхэм — Абхъазым щыщу зауэм хэкIуэда цIыху мини 3,5-мрэ къыщхьэщыжакIуэу мафIэ лыгъейм зи щхьэр хэзылъхьа щIалэ 260-мрэ. ФIыщIэ ин пылъу ди къуэшхэм а махуэм ягу къагъэкIыж Куржы-Абхъаз зауэм Кавказ Ищхъэрэм, Урысейм и Ипщэ щIыналъэм, нэгъуэщI республикэхэм, крайхэм, областхэм щыщу хэкIуэдахэмрэ лIыгъэ зезыхьахэмрэ. 1992 гъэм шыщхьэуIум и 15-м Сосналы СулътIан зи пашэ япэ щIалэхэр ихьат зауэ къыщыхъея Абхъаз хэкум. Абы ипкъ иткIэ, 2013 гъэм шыщхьэуIум и 8-м АР-м и президенту щыта Анкваб Александр къыдигъэкIащ шыщхьэуIум и 15-р махуэшхуэу гъэувыным теухуа унафэр. Зауэ къызэрыхъеяр зэхэзыха гъунэгъухэр, къуэшхэр, гупури щхьэзакъуэуи, бгым щхьэпрыкIри, абхъазхэм якъуэуващ. КъарукIи, цIыху бжыгъэкIи, IэщэкIи нэхъ гуащIэмащIэ лъэпкъыу къалъытэри, куржыхэр ятеуат абхъазхэм. Ауэ абыхэм ягугъакъым апхуэдиз цIыху къакъуэувэну. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Осетие Ипщэм, Шэшэным щыщ щIалэхэр, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр, уеблэмэ, Приднестровьем, Урысейм и ипщэ лъэныкъуэм щыIэ жылэхэм щыщ къэзакъхэр, урысхэр кIуат абы. КъищынэмыщIауэ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм пэкIухэр къыщызэрагъэпэщырт Абхъазым зауэр щагъэувыIэну къагъэуву, Урысей Федерацэм и унафэщIхэм зыхуагъазэрт. Мис ахэри сэбэпышхуэ хуэхъуащ Абхъазым и текIуэныгъэр къэблэгъэным. МащIэкъым Апсным и щхьэхуитыныгъэм щIита уасэр — абы я щхьэр хуагъэтIылъащ, я псэр щIатащ лъэпкъым и къуэ пажэ щэ бжыгъэхэм. 1992 гъэм куржыхэм къагъэхъея зауэм и хъыбарыр дунейм щыщызэлъащIысам псом я дежкIи щапхъэ хъуат Кавказым ис лъэпкъхэм я Конфедерацэм къызэщIиIэта цIыхухэр гъуэгу зэрытехьар. Абхъазым зэи щыгъупщэнукъым я къарур къызэщIагъэуIуэу я лъэщагъыр зыгъэбыда дзэлI хахуэхэм я цIэхэр — Къалмыкъ Юрэ, Сосналы СулътIан, Щэныбэ Мусэ, Сосламбеков Юсуп, Хъуадэ Iэдэм, нэгъуэщIхэри. А хэкулIхэм къызэщIаIэта къарум пэлъэщыфакъым лъэпкъгъэкIуэдыр зи гуращэу утыку къихьа куржыхэр. Нобэми яхуэухыркъым жылэ Iэщэншэм танккIэ, кхъухьлъатэкIэ, топкIэ, шэкъэуэжхэмкIэ ятеуа бийм и гущIэгъуншагъыр. Апсным и цIыху мин бжыгъэхэм къатехьа лейр псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэжыным хуэдизщ. Ауэ абхъаз лъэпкъ хахуэм, абы и пашэ лIы щэджащэм яхузэфIэкIащ куржыхэр къащIытеуам и щхьэусыгъуэ пэжыр наIуэ къащIыну, къэралыгъуэр трахыну яужь къихьахэм, ди щIалэхэр я дэIэпыкъуэгъуу, пэщIэувэну. 1992 — 1993 гъэхэм Абхъаз Республикэм щекIуэкIа зауэм къыщхьэщыжакIуэ 2000-м нэблагъэ хэтащ, абыхэм ящыщу цIыху 51-м «Абхъазым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр фIащащ, 247-м Леон и орденыр иратащ, зауэлI 623-м «Хахуагъэм папщIэ» медалыр хуагъэфэщащ. Зауэр зэрекIуэкIа махуэ 413-м щIалэщIэ 260-рэ хэкIуэдащ. А зэхэуэ гуащIэм зэрыхэтым хуэдэурэ Абхъазым армэ зэригъэпэщащ, АР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэ иухуащ, батальонхэмрэ бригадэхэмрэ я пIэ иригъэзэгъащ. Ардзинбэ Владислав и унафэм щIэту лъэпкъымрэ абы къыкъуэтхэмрэ я къалэн нэхъыщхьэм пэлъэщащ: бийр я щIыгум ирахужри, я щхьэхуитыныгъэр зэфIагъэувэжащ. Нобэ Апсным и уIэгъэр игъэхъужащ, и щхьэхуитыныгъэр къэрал зыбжанэм къыщалъытащ. Урысей Федерацэмрэ адрей и дэIэпыкъуэгъухэмрэ я фIыщIэкIэ, Абхъазым нобэ иIэ экономикэ щытыкIэр ирегъэфIакIуэ, и лъэщагъым хегъахъуэ, шынагъуэншагъэр къызэрегъэпэщ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100493.txt" }
Сом мини 100-кIэ ягъэпэжэнущ вакцинэр зыхезыгъэлъхьахэр Коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэ-щIэм зэрыпэщIэт вакцинэр зыхезыгъэлъхьа цIыхухэр зэрагъэпажэ программэм мыгувэу къэралым лэжьэн щыщIидзэнущ. Абы теухуа унафэм Iэ щIидзащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил. ЛотереекIэ ягъэджэгуну ахъшэ саугъэтхэр къахьыну Iэмал иIэнущ зи ныбжьыр илъэс 18-м щIигъуауэ мастэр зыхезыгъэлъхьа дэтхэнэ зыми. Iуэхур ирагъэкIуэкIынущ 2021 гъэм фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ дыгъэгъазэм и 1 пщIондэ. Абы зэрыхэтынур мастэр зэрызыхрагъэлъхьамкIэ и щыхьэт регист-рым къызэрыщыгъэлъэгъуа бжыгъэмкIэщ. Лотереем и оператору щытынущ «Гознак» акционер зэгухьэныгъэр. Ахъшэ саугъэтхэр щагъэджэгунущ «бонусзаздоровье.рф.» сайтым, абы кърикIуами абдеж щыгъуазэ зыщыхуэпщIыжы-фынущ, апхуэдэуи хъыбарегъащIэ IэнатIэхэми ар наIуэ къащIынущ. «Вакцинэр зыхезыгъэлъхьахэр гъэпэжэным теухуа программэмкIэ УФ-м и Правительствэм фIыщIэ яхуещI я узыншагъэр хъумэным зыхэщIыкI яIэу бгъэдыхьа цIыхухэм. Ахэр я щхьэм и закъуэкъым зэгупсысар, атIэ къэзыухъуреихь цIыхухэми я зэран зэрырамы- гъэкIыным хущIэкъуащ», — къыхигъэщащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ, къыхалъхьа унафэм зэреплъыр щыжиIэм. Компьютерым и Iэмалхэр къагъэсэбэпу ирагъэкIуэкIыну лотереемкIэ цIыху 1000 ягъэпэжэнущ, абыхэм дэтхэнэми сом мини 100 иратынущ. Ахъшэ саугъэтыр къызэрахьа хъыбарыр хуагъэхьынущ цIыхум Къэрал, муниципальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ зыуэ щыт порталым щиIэ «кабинет щхьэхуэм». Ахъшэр МИР банк картэм ягъэкIуэну аращи, абы и реквизитхэр къэгъэлъэгъуауэ щытын хуейщ. Саугъэтыр къэзыхьахэм къаIэрыхьэжынущ мазихым къриубыдэу. Фигу къэдгъэкIыжынщи, COVID-19-м зэрыпэщIэт вакцинэр Урысейм и цIыхухэм халъхьэн щIадзащ мы гъэм и щIышылэм и 18-м щегъэжьауэ. УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, шыщхьэуIу мазэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу къэралым и цIыху мелуан 37-м хущхъуэр ирахьэлIащ. Урысейм и къулыкъущIэхэм нэхъапэкIи ирагъэкIуэкIащ коронавирусым зэрыпэщIэт вакцинэр зыхезыгъэлъхьа цIыхухэр щагъэпажэ насыпырыхь джэгухэр. Апхуэдэу Москва щагъэ-джэгуащ мелуаным нэблагъэ зи уасэ «Renault Logan» автомобилыр, Подмосковье — унэ. Тхьэхущынэ Ланэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100498.txt" }
Махуэшхуэ зэхыхьэхэр зэкIэ щагъэIэнукъым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Оперативнэ штабым и зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету шыщхьэуIум и 17-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщым, а узыфэм зэрыпэщIэтым теухуа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ Оперативнэ штабым и зэIущIэр. Ар къыщызэIуихым КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ эпидемиологие щыты-кIэр республикэм иджыри гугъуу зэрыщыщытыр, сымаджэ хъухэмрэ госпиталхэм ягъэгъуэлъхьэмрэ я бжыгъэм зэкIэ хэмыхъуэ хуэдэу щытми. Абы къыхигъэщхьэхукIащ узыфэр зэуэ цIыху куэдым емыгъэуэлIэным хуэунэтIауэ ягъэува хабзэхэр уэим пщIы зэрымыхъунур, цIыхухэм мастэр яхэлъхьэным пыщэн, мардэ пыухыкIахэм тетын зэрыхуейр. «Роспотребнадзор»-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Пагуэ Жы- раслъэн зэрыжиIамкIэ, дызэрыт илъэ-сым и шыщхьэуIум и 17-м ирихьэлIэу коронавирусыр япкърытрэ япкърымыт-рэ зэхагъэкIын мурадкIэ лабораторэ- хэм къэпщытэныгъэу 673.776-рэ щрагъэкIуэкIащ, иужьрей жэщ-махуэм къриубыдэу — ПЦР къэпщытэныгъэу 1539-рэ. Узыфэр къызэрежьэрэ ар цIыху 28504-м, блэкIа жэщ-махуэм 89-м къайуэлIауэ къыщахутащ республикэм. Узыфэм цIыху 690-рэ илIыкIащ (иужьрей жэщ-махуэм цIыхуищ). Ягъэхъужахэм я бжыгъэр 26527-рэ мэхъу (зы жэщ-махуэм къриубыдэу сымаджэщ-хэм щIатхыкIыжащ цIыху 73-рэ). ЦIыхухэм мастэр яхэлъхьэным теухуа Iуэхум и гугъу щищIым Санитар дохутыр нэхъыщхьэм къыхигъэщащ мастэр нэхъыбэу зыхезыгъэлъхьахэр лэжьапIэ IэнатIэ Iутхэр арауэ зэрыщытыр, нэхъ мащIэу — студентхэмрэ уз гъэтIылъа зиIэхэмрэщ. Абы ипкъ иткIэ жыпIэ хъуну къыщIэкIынущ узыр дяпэкIэ нэхъ зэуэлIэнкIэ хъунухэр иужьрейхэрауэ. Абы ягу къигъэкIыжащ мастэр я лэжьакIуэхэм ящыщу зыхезыгъэлъхьахэм я бжыгъэхэр къэлъытэным теухуа къэпщытэныгъэхэр «Роспотребнадзор»-м IуэхущIапIэхэм фокIадэм и 1-м и ужькIэ щригъэкIуэкIын зэрыщIидзэнур. Къалэбатэ Рустам жиIащ узыфэ зэ-рыцIалэ нэхъ шынагъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ госпиталу плIы мы зэманым республикэм зэрыщылажьэр, абыхэм псори зэхэту гъуэлъыпIэ 930-рэ щIэтщ, 116-р реанимацэхэм яхуозэ. Узыфэр зыпкърытхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъумэ, къызэIуахыным хуэхьэзырщ Тэрч, Шэджэм сымаджэщ нэхъыщхьэхэм, къалэ клиникэ сымаджэщ №1-мрэ СПИД зыпкърытхэм щеIэзэ центрымрэ къыщызэрагъэпэщ госпиталхэр. Мы зэманым госпиталхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт сымаджэ 682-м, абыхэм ящыщу 89-р реанимацэхэм щIэлъщ. Коронавирус узыфэр зыпкърытхэр гъэхъужыным толажьэ медицинэ лэжьакIуэ 844-рэ. Министрым къыхигъэщащ госпиталхэр газификаторхэмрэ кислород ткIуаткIуэр щахъумэ цистернэхэмкIэ и чэзум къызэрызэрагъэпэщам и фIыгъэкIэ цIыхур зэрагъэбауэ кислороду махуи 2 — 4-кIэ зрикъун гъэтIылъыгъэ яIэурэ зэрылажьэр. Тхьэмбылым узыфэр нэсарэ нэмысарэ нэхъ пасэу зэхагъэкIын папщIэ компьютер томографу 4 яIэщ, абыхэм ящыщу тIур жэщми махуэми зэпыу ямыIэу мэлажьэ. Илъэсыр къызэрихьэрэ апхуэдэ къэхутэныгъэу мин 30 хуэдиз ирагъэкIуэкIащ, зы жэщ-махуэм къриубыдэу ику иту томографиеу 150-м щIигъу ящI. Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм земыгъэубгъунымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэу къэнэжыр цIыхухэм мастэр яхэIунырщ. Нобэм ирихьэлIэу мастэм и япэ хэIугъуэр цIыху 148.762-м, етIуанэр 105.904-м халъхьащ. Мастэр яхэлъхьэныр щIэхуабжьэ фIэкIа къэтIасхъэркъым, ар зыхалъхьахэр узыр икIуэтын папщIэ зыхуеинум и про-цент 37,5-рэ хъуащ. Министрым жиIащ мы зэманым республикэм цIыхухэм мастэ щыхаIу щIыпIэу 82-рэ къызэрыщызэрагъэпэщар, ахэр зыгъэпсэхугъуэ махуэ ямыIэу сыхьэти 8-м къыщыщIэдзауэ сыхьэт 20 пщIондэ мэлажьэ. Хущхъуэр цIыхухэм яхэлъхьэным медицинэ лэжьакIуэ 718-рэ яужь итщ, гуп 78-м хэтхэр IуэхущIапIэхэм кIуэурэ а лэжьыгъэр ирагъэкIуэкI. Штабым и зэIущIэм щытепсэлъыхьащ санитар-эпидемиологие щытыкIэр къэлъытауэ, еджапIэхэм еджэн зэрыщIадзэжыну щIыкIэм. КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ- гъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор жиIащ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм зэреса щIыкIэм хуэдэу лэжьэн зэрыщIадзэжынур, шынагъуэншагъэм къигъэув хабзэхэм тету. ЕджапIэм щыщIыхьэкIэ цIыхухэм я температурэр къапщынущ, дэтхэнэ классми хухэхауэ щытынущ щеджэну пэш щхьэхуэ. Коронавирус узыфэр куэдым зэуэ къайуэлIауэ къахутэмэ, «Роспотребнадзор»-м къигъэува мардэхэр я лъабжьэу абы щхьэхуэу унафэ тращIыхьы-нущ. ЩIыналъэм щыIэ эпидемиологие щытыкIэр къалъытэщ, КъБР-м щыIэ Санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн и чэнджэщхэм едаIуэри, зэIущIэм щызэгурыIуащ фокIадэм и 1-м махуэшхуэ зэхуэсхэр еджапIэхэм я япэ классым кIуэхэм щхьэкIэ фIэкIа къызэрамыгъэпэщыну, ари профилактикэ мардэ псори ягъэзащIэу. КъимыдэкIэ, унафэ къащтащ республикэм и Къэралыгъуэм и махуэм и щIыхькIэ цIыху куэд зыхэт махуэшхуэ дауэдапщэхэри ирамыгъэкIуэкIыну.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100501.txt" }
Дыщэр адыгэшым зыIэригъэхьащ ШыщхьэуIум и 13 — 14-хэм Луховицы къалэм пэгъунэгъу Павловское къуажэм щызэхэтащ шыгъажэ кIыхьхэмкIэ Мэзкуу областым и чемпионатрэ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ зэхьэзэхуэрэ. Километри 120-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэ щызэпача унэтIыныгъэм Урысеймрэ Белоруссиемрэ икIауэ шууиплI хэтащ. Гъуэгуанэм и кIэм нэсыфар тIу къудейщ. Япэ увыпIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Къалэ Мухьэмэдрэ ар зытеса Юпитер адыгэшымрэ къахьащ. Дыжьын медалыр зыIэрыхьар Черник Владимирщ. КIэлъыплъакIуэхэр арэзы къищIащ шыхэм къызыкъуаха псынщIагъми: зы сыхьэтым — километр16,49-рэ. Зытесар мыадыгэшми, япэ увыпIэр къихьащ Мэзкуу областым и чемпионатым хэта Махуэ Мухьэмэди. ЕтIуанэр — Лосевэ Дарьещ, Гоголь Николай ещанэу къэсащ. Мухьэмэд зытеса Ламбертэ къызыкъуиха псынщIагъыр текIуэныгъэ къудей мыхъуу, Урысейм щагъэува рекорду къалъытащ: зы сыхьэтым — километр 22,37-рэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысейм шы спортымкIэ и федерацэм къэралым щыщ хэгъэгу 72-рэ хохьэ, унэтIыныгъи 8-кIэ шы зэхьэзэхуэхэр ирегъэкIуэкI. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100504.txt" }
Къуныжь Ролан Европэм щытокIуэ Мы махуэхэм Латвием щекIуэкIащ дзюдомкIэ ныбжьыщIэхэм я Европэ зэхьэзэхуэ. «Арена Рига» спорткомплексым щызэхуэсат къэрал 37-м къикIа, зи ныбжьыр илъэс 15 — 17-м ит щIалэрэ хъыджэбзу 400-м щIигъу. Зэхьэзэхуэм и етIуанэ махуэм утыкур къылъысащ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэт, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Къуныжь Ролан. Зи хьэлъагъыр килограмм 73-м нэблагъэхэм я зэпэщIэтыныгъэм текIуэныгъиплI (абыхэм ящыщу 3-р хухаха зэманыр и кIэм нэмысу!) Литвам, Германием, Польшэм, Словением къикIахэм къыщыфIэзыхьа ди лъэпкъэгъур кIэух зэIущIэм щыхуэзащ серб щIалэщIэ Гранович Душан. И хьэрхуэрэгъур «иппон»-кIэ къитридзэри, Къуныжьым ди къэралым дыщэ медаль къыхуихьащ. — Ригэ сызэрыщытекIуам нэхъри сытрегъэгушхуэ лъагапIэщIэхэм зеспщытыну икIи дэтхэнэ зы спортсменми и хъуэпсапIэ олимп дамыгъэм сыхуэкIуэну, — жиIащ Ролан зэхьэзэхуэр иуха иужькIэ. — Мы гъэм щIалэгъуалэ зэпеуэхэм си къарум сыщеплъыжынущ. Латвием сызыпэмыплъа хьэрхуэрэгъу къыщысхукъуэкIакъым — тренерхэм дэтхэнэми хуэфэщэну сыхуагъэхьэзырат икIи абыхэм фIыщIэ ин яхузощI. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и педколледжым щеджэ, дзюдом къэкIуэну дахэ щиIэу гугъэ дэзыгъэщI Къуныжь Ролан егъасэ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер, нэхъапэм Урысей Федерацэм и чемпион хъуа, Европэм къыщыхэжаныкIа, иджы тренер цIэрыIуэ Джэданэ Залым. Жыласэ Замир. Сурэтым: Европэм и чемпион Къуныжь Роланрэ и гъэсакIуэ Джэданэ Залымрэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100506.txt" }
Каф бгы къуагъым къыкъуэкIа пщащэ Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым иджыблагъэ къыщызэIуахащ Иорданием щыщ ди лъэпкъэгъу Къэрэгъул Зейнэ и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Ди лъэпкъэгъу пщащэм и IэдакъэщIэкIхэр иджы ещанэу Налшык утыку къыщрехьэ. Къэрэгъул Зейнэ 1978 гъэм Иорданием къыщалъхуащ. ЩIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Лондон дэт университетхэм ящыщ зым. 2010 гъэм ар япэу Хэкужьым щыхьэщIащ, нэхъыфIыжу и адыгэбзэри щызригъэщIащ. Амман щыпсэуну Iэпхъуа иужьщ и зэфIэкIхэр нэхъ наIуэ къыщыхъуар. СурэтыщI унагъуэм щыщ хъыджэбзым и IэдакъэщIэкIхэр нэхъыбэу каллиграфие геометрие жыпхъэхэм итт. 2014 гъэм абы и творчествэм, и дуней еплъыкIэм зихъуэжри, сурэтхэр гъэщIэгъуэну зэхигъэувэн щIидзащ. Журнал, газет зэмылIэужьыгъуэхэм зэщымыщу къыхигъэжа сурэтхэм гупсысэ хэха зиIэ теплъэгъуэ къыхэщIыкIыныр хуабжьу удэзыхьэх Iуэхугъуэщ. Зейнэ хузэфIэкIырт апхуэдэ щIыкIэкIэ езым и дуней къигъэщIыжын. Хъыджэбз IэпэIэсэм екIуу куэд зэхеухуанэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, абы и щэнхабзэ дунейр зэподжэж икIи пасэрей сурэтхэм гъащIэщIэ щаретыж и IэдакъэщIэкIхэм. «Каф бгым сыкъыкъуэкIауэ сыкъокIуэ» (Каф бгыр Перс IуэрыIуатэм, ислъам диным и къэхъукIэр къэзыгъэлъагъуэ тхыдэм къыхэщ пасэрей бгыжьщ, щIым и гъунэу къалъытэу щытащ а щIыпIэр) иджырей гъэлъэгъуэныгъэм щIагъыбзэ и бэщ. Мыбы и фIэщыгъэр Зейнэ игу къэзыгъэкIар Тыркум къыщалъхуа абхъаз философ, тхакIуэ Ягъэн Мурат «Я пришёл из-за гор Кавказа» романырщ. Къэрэгъулым ипэкIэ утыку кърихьахэм хуэдэу, мыбыи удз гъэгъахэр къебэкIми, абыхэм лъэпкъ гупсысэмрэ лъэпкъ узымрэ зэрыхэгъэпщкIуар къэлъагъугъуейкъым. «Удз гъэгъахэм зыкъыщызэIуахыр щIымахуэр икIыу гъатхэр къихьа иужьщ. Дызэрыт зэманыр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и лъэхъэнэу къызолъытэри, сэри аращ удз гъэгъахэр куэду си сурэтхэм щIыхэзгъэувэр», — жеIэ Зейнэ. А сурэтхэм теплъэ дахэ къудей фIэкIа яхэзымылъагъуэ-ни щыIэщ, ауэ Зейнэ и IэдакъэщIэкIхэм зэрыщыту хэхэс адыгэхэм я узыр зыхыуагъащIэ. ИтIанэ, пасэрей адыгэхэм хуэдэу, абы къыхих плъыфэхэм цIуугъэнэ, нэм къыщIэуэ яхэткъым. ГъэщIэгъуэнщ Къэрэгъул Зейнэ и дуней еплъыкIэр, гупсысэкIэр. Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ абы и гъэлъэгъуэныгъэм, лъэпкъым теухуауэ къыджиIахэм: «СызэрыцIыкIурэ си адэшхуэ-анэшхуэхэм Хэкужьым теухуа хъыбархэр къызжаIэжырт, лъахэм и дахагъым, фIэрафIагъым срагъэхъуапсэрт. Абы щыгъуэ Интернетым дунейр апхуэдизу зэщIиблатэкъыми, ар слъагъуну Iэмал сиIэтэкъым. Къысхуэнэжрати, си нэгу къыщIэзгъэувэрт, куэдрэ сепщIыхьырт. Сэ Iэджэрэ Хэкужьым сегупсысащ икIи сыщыцIыкIум адэжь щIыналъэр си нэгу зэрыщIэтар къыщызгъэлъэгъуэжауэ аращ сурэтхэм. Илъэс 15-м щIегъу мыпхуэдэ сурэт щIыкIэм зэрызеспщытри, а зэманым къриубыдэу Амман, Москва, Дубай, Лондон утыку къыщисхьащ си сурэтхэр. Ауэ Налшык зэрыщызгъэлъагъуэм псом хуэмыдэу сыщогуфIыкI, си лъэпкъэгъухэм си сурэтхэр ягу ирихьмэ, сэркIэ насыпышхуэщи. Дапхуэдизу си сурэтхэр дахэу жаIами, Хэкум и теплъэр сурэтыщIым я нэхъ Iэзэми нэ- су къыхуэгъэлъэгъуэнукъым! ЩIыпIэ куэдым къыщацIыху адыгэхэр. Ди лъэпкъ хабзэр, псэукIэр, гупсысэкIэр, зэфIэкIыр, щэнхабзэр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми дунейм нэхъыбэжу къысхуегъащIэмэ, сынасыпыфIэу зыслъытэжынущ». Къэрэгъулхэ я пхъум и IэдакъэщIэкIхэр телъыджэщ, гъэщIэгъуэнщ абы и дуней лъагъукIэри. ФокIадэм и 3 пщIондэ екIуэкIынущ гъэлъэгъуэныгъэр. Гупыж зыщIу абы кIуэм дэрэжэгъуэ зэригъуэтыжынум шэч хэлъкъым. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100509.txt" }
Лэгъунэ мафIэпэ НысащIэр пщэфIэным, Iуэху щIэным япэу щрашалIэм деж бзылъхугъэ нэхъыжьыр хуэлъаIуэрт, жьэгум зэи мафIэр щымыкIуэсэну, къэкIымрэ къалъхумрэ Тхьэм щимыгъэщIэну. Бзылъхугъэм я нэхъыфIым нысащIэу къызэрашэ лъандэрэ лэгъунэ мафIэу хузэщIагъэнар имыгъэкIуасэу зэрихьэрт. КIэлъыгъэхуабэ Гъуэгу техьам, зекIуэ ежьахэм кIэлъызэрахьэу щыта хабзэщ. Унэм икIа нэужь, шхын ягъэхуабэрт, зэхэтIысхьэрти яшхырт, ежьам и Iуэхур къыдэхъункIэ хуэлъаIуэхэрт. Гъуэгу техьар псым икIыху кIэлъыпхъанкIэртэкъым, кIэлъыжьыщIэртэкъым, пхъэнкIий кIэлърадзыртэкъым. Удж баш Уджым щызэрахьэ башщ, удж пашэм иIыгъыу. ДжэгуакIуэм (хьэтиякIуэм) ину къреIуэ удж пашэм и цIэр. Ар утыкум къихьа нэужь удж башыр IэщIелъхьэ. Ар дахэу, екIуу щIащ: дэ цIыкIурэ хъыдан къуэлэн дахэкIэ зэщIэблащ. Башыщхьэм бгъэ, къашыргъэ сурэт тращIыхь. Япэм бжэныщхьэ тращIыхьырт. ХьэтиякIуэм удж башымкIэ уджыр зэрегъакIуэ, хэт сыт хуэфащэми абыкIэ игъэлъагъуэу. Удж башыр иIыгъыу удж пашэмрэ пщащэ дахэмрэ удж хъурейр зэхашэ. Дзэхущ Зы нарт хъыбар закъуэм къыхэщ лIыхъужьщ ар. Нарт шу хахуэщ, Лъэпщ и къуэщ. Шу хьэкъувэкъуу, ехьэжьауэ къыхощыж. Дзэхущ зауэм лIыгъэ щызэрихьарэ и бгъэр тIауэ, и щхьэр уафэм етауэ къэкIуэжу Тхьэгъэлэдж вийкIэ вэуэ хуозэ. Нарт щIалэм и щIыкIэр Тхьэгъэлэдж игу иримыхьу жеIэ: «Зи адэм и IэщIагъэр зымыдэжу нарт шу хасэу ежьэжа». Дзэхущ ар щхьэкIуэ щохъу, алъпым йолъэдэкъауэри, вэуэ ежьэжа Тхьэгъэлэдж иужь йоувэ, зыгуэр ирищIэн и гугъэу. Ауэ лъэщIыхьэркъым. Апхуэдэурэ къекIуэкIыгъуищ къикIухьащ, япэкIэ къилъэдэни къримыгъэкIуу. Дзэхущ я деж мэкIуэжри, и адэм хуотхьэусыхэ. «Зи адэм и IэщIагъэр зымыдэж, жери лIыжьым къызиудэкIащ», — жеIэ. Лъэпщ и къуэр къегъэгугъэ Тхьэгъэлэдж удын иригъэхьыну, къыжриIар имыгъэгъуну. Нартхэ я санэхуафэу Тхьэгъэлэдж жьантIэм дэсщ, абы Лъэпщ къыбгъурысщ, Дзэхущ бжэкъуагъым къуэтщ. Тхьэгъэлэдж хъуэхъуащ, хигъэфыну бжьэр Дзэхущи къритащ. Дзэхущ бжьэм хэфри иритыжащ. Абдеж Лъэпщ и къуэм нащхьэ хуищIащ, «уеуэжынум — еуэж, еуэжыпIэ уихуащ» жыхуиIэу. Ауэ Дзэхущ къыхуегъэкIуакъым ар нэхъыжьым ирищIэн. Тхьэгъэлэдж бжьэр Дзэхущ къыIихыжри жиIащ: «Сэ сывэу сыхэтт. Мы уи щIалэм и бгъэр итIауэ, и щхьэр уафэм иту, жьыр къыщепщэр имыщIэрэ, «сэ схуэдэ дэнэ щыIэ?» жиIэу къызбгъэдыхьауэ щытыгъащ». Дзэхущ дерс хуэхъуащ Тхьэгъэлэдж лIыжьым и псалъэр. Нарт щIалэр укIытэри, санэхуафэм къыхэкIыжащ, и адэм и кIыщым кIуэри шууищэ я фащэ ищIащ, абыкIи къигъэлъэгъуащ ехыми зэфIэкI зэриIэр. Мы ныкъуакъуэм и лъапсэр, дауи, мыращ. Лъэпщ къыгуроIуэ и IэщIагъэм пщIэуэ иIэри, ар Тхьэгъэлэдж йоныкъуэкъу, абы фIэнэну и къуэри зэщIегъэст. Ауэ гъукIэ IэщIагъэр мэкъумэшым ипщэ кIуэ IэщIагъэкъым, абы и зы Iыхьэу щыт фIэкIа. Абы къыхэкIыу апхуэдэ дауэхэр Тхьэгъэлэдж и сэбэп хэлъу, уэим щIагъуэ къимыкIыу еух. Абы къыдэкIуэу, IуэрыIуатэм зэрихабзэу, мы хъыбарыр фIым хущIоджэ — Iущыгъэр зибэ нэхъыжьыр егъэлъапIэ. Щай уриуасэкъым Зэныбжьэгъу щIалитI зодауэ, хэт нэхъ цIыху мыхьэнэншэми зэхагъэкIыну. Зыр нэхъ бзаджэу къыщIэкIри, и ныбжьэгъур иришэжьащ. Автобус къэувыIэпIэм деж щыт таксим бгъэдохьэри, йоупщI: — Горькэм и уэрамым нэс дапщэ сызэрыпшэнур, си къуэш? — ТумэнипщI? — Си ныбжьэгъур си гъусэмэ-щэ? — Апхуэдиз дыдэ. Зигу зэгъа щIалэм и ныбжьэгъум зыхуегъазэри, жеIэ: — БжесIатэкъэ, Мурат, щай узэримыуасэр. ПщIэжрэ? Зэкъуажэгъу щIалитIым зым адрейм щIыхуэ иритауэ зыкъом лъандэрэ къритыжыртэкъым. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым зэхуэзауэ уэрамым здрикIуэм, и щIыхуэ зэрытелъыр аргуэру игу къигъэкIыжыну укIытэрти, жыжьэу къыщригъэжьащ: — Хьэбалэ, дауэ къыпщыхъурэ дунейм и щытыкIэр? ТIэкIу щIыIэтыIэщ, пэжкъэ? — Уэлэхьи, пэжмэ, щыIэтыIэ сщIэркъыми, уаещ. — ПщIэжрэ, а щIыхуэ щостам щыгъуэ хуабэ лыгъейуэ зэрыщытар? Сэ насып сиIэт, ахъумэ… — Уэлэхьи, Хьэжбий, нобэ сыщIэфлъхьэж пэтам, — жиIащ Дизыкъуажэ и ныбжьэгъум щыхуэзам. — Сыту, Iэгъу? Къэхъуар сыт? — Насып уиIэмэ, сыт хэлъ, ахъумэ нобэ сэ къэплъагъур метрибгъу зи кIыхьагъ пкIэлъейм сыкъехуэхащ, ауэ… — Е зиунагъуэрэ, абы дауэ укъела-тIэ? — Хьэжбий гузавэу и ныбжьэгъур щызэпиплъыхьым: — Аракъэ-тIэ, «ауэ» жыхуэсIэр. Сэ насыпыжьыр сиIэти, етIуанэ теувапIэм дежщ сыкъыщехуэхар, — жиIащ Дизыкъуажэ. Автомашинэр гъуэгу зэрытехьар Франджы инженер Ленуар Этьен (1822 — 1899) япэ дыдэу зэпкърилъхьат газкIэ лажьэ мотор зэрыт автомобиль. Ар уэрамым дэту цIыхухэм ямыдэу псалъэмакъышхуэ къэхъеят. Абы ипкъ иткIэ, 1865 гъэм «Бэракъ плъыжь» унафэр къыдэкIат. Унафэм зэрыжиIэмкIэ, а машинэр гъуэгум щрижэкIэ, бэракъ плъыжь зыIыгъ цIыху абы япэ иту жэн хуейт, зыгуэрым зэран хуэмыхъун щхьэкIэ. * * * Инджылызым и къалащхьэ Лондон и уэрамхэм япэ автомобилыр къыщыдыхьам щыгъуэ, абы ипэ иту зыгуэр жэрт, машинэ къызэрыкIуэр цIыхухэм яжриIэу, ахэр гъуэгум тригъэкIыу, сакъын зэрыхуейр ягуригъаIуэу. Бжыгъэшхуэхэм уагъэгужьей ЩIым къыщыщIэдзауэ Дыгъэм нэс ику иту километр 149.597.870-рэ, Мазэм нэс — километр 384.400-рэ дэлъщ, ЩIыр сыхьэт 23-рэ дакъикъэ 56-рэ секунди 4-м зэ къокIэрэхъуэкI, ЩIым Дыгъэм и хъуреягъыр зы секундым км 29,8-рэ икIуу махуэ 365,25-м къелъэтыхь, ЩIым и щхьэфэр километр зэбгъузэнатIэ 510.100.000-рэ мэхъу, абы щыщу псым процент 71-р, щIым процент 29-р яIыгъщ. Абы нэмыщI, дэ зи хъуреягъыр къэтлъэтыхь Дыгъэр Шыхулъагъуэ галактикэм хэту зы секундым км 290-рэ икIуу мэкIэрахъуэ. ЯмыгъэIу зэхахыркъым Шхырыджэгу ныбалъэ, гъаблэ хъумэ, щхьэпIыж. ШыщIэ къамылъхуам уанэ трелъхьэ. Гъунэгъур унэгъущ, къигъунэгъужыр гъунэгъущ. Закъуэныгъэ нэхърэ Iэл къыбдис. Зэдэшхэ IэфIщи, зэдэфI унэщ. Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым. Хъуэжэ и бэщмакъыу зыкърегъанэ. Шынэ зиIэм укIытэ иIэщ. Хъумэ, зыфI, мыхъумэ, фIитI. ЯмыгъэIу зэхахыркъым. Псы Iуфэм Iусым псы икIыпIэр ещIэ. ХъунщIэнрэ къуентхъынрэ зыщ. Хьэ бзаджэ тIысыпIэншэщ. Шым и лъакъуэ и бийщ. УпщIэ и анэ фIэрафIэщ. Хамэ дагъуэр лъагъугъуафIэщ. Мыублэ мыхъумэ, мыух щыIэкъым. ХущIэмыхьэ пIащIэрыпсалъэщ. Псы мыгъавэ бдзэжьей хэсщ. Мысэр малъэри, хейм и лъакъуэр щIеуд. Гъэ мэкъумэш пэтрэ яух. Гъэм и зы махуэм щIымахуэм уегъашхэ. Гъэмахуэм гупкIэ жьауэри унэщ. Гъэмахуэм къыумылэжьа щIымахуэм бгъуэтыжыркъым. Гъэмахуэм Iэжьэ щIыи, щIымахуэм гу щIы. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 1. ПхъэIэщэм къызэригъэдзэкI щIы Iыхьэ. 5. Хьэжыгъэ икIи нэгъуэщI гъавэхэкIхэр зракIутэ. 6. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 7. ГъукIэм и лъэщапIэ. 10. ЩIымахуэ щыгъын. 12. УрысыбзэкIэ тхэуэ щыта адыгэ бзылъхугъэ усакIуэ цIэрыIуэ. 14. Унэм и зы Iыхьэ. 17. Пасэрей адыгэ лIыхъужь. Е IутIыж Борис и пьесэ. 21. «Нэхъыжьхэм къытхуэфщIам унафэ», «Си Заремэ», «ФIыуэ слъагъум сыкъыдоуджэкI», «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» икIи нэгъуэщI уэрэд дахэ куэдым я псалъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа усакIуэ. 23. Дуней псом щыцIэрыIуэ урыс тхакIуэшхуэ. 26. Щхьэгъусэ къэзышам и благъэщIэ. 28. Пхъэ кIапэ. 29. Псы зракIэ кумбыгъэшхуэ. 30. Иджыблагъэ Японием щекIуэкIа гъэмахуэ Олимп джэгухэм дыщэ медаль къыщызыхьа, КъалэкIыхьым къыщалъхуа спортсменкэ. Къехыу: 2. Таурыхъхэм узыщрихьэлIэ шы лъэрызехьэ — мэлъэтэф, мэпсэлъэф. 3. АпхуэдизкIэ щIалэ махэщи, … къытетIысхьэмэ, и шхулъэр йопкI. 4. «Щихухэр иджыри …» — Къэрмокъуэ Мухьэмэд цIэрыIуэ зыщIа повесть. 8. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 9. Уафэм къех мыл тыкъыр цIыкIу. 10. Ику иту тонн 60 — 80 хуэдэ зи хьэлъагъ псэущхьэ. 11. КIуэ пэтми бжьиз зымыкIу. 12. ХадэхэкI. 13. … закъуэ мэз хъуркъым. 15. Гъэмахуэм Iэщым я фэр изых бадзэжь. 16. ЩыпсалъэкIэ зэIынэ. 18. … зыхэвэ нэхърэ — бжэн зыхэпкIэ. 19. Унэ зыухуэм къигъэсэбэп ткIуаткIуэ. 20. Iэщ. 22. Бын. 24. Къуэш … нэхърэ — ныбжьэгъуфI. 25. Iэрамэ хужь гъэгъахэр куэду къызыпыкIэ жыг. 27. КIыщокъуэ Алим и роман «Нал …». 29. Джэрэзыжу мылым къыщагъафэ. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. ШыщхьэуIум и 14-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 1. Хьэ. 4. Хъуп. 6. ТхьэкIумэкIыхь. 8. КIарц. 9. Кугъуэ. 10. Тхьэгъу. 13. Хьэрэ. 14. ЦIырхъ. 19. Курых. 20. Къуентхъ. 21. Ныджэ. 22. Псыжь. 24. ПщыукI. 26. ЩIакIуэ. 27. Матэ. 28. Пшыхь. 32. ИкIута. 34. Боз. 35. Балэ.36. Шындэбзий. 37. Лы. 38. Гъур. Къехыу: 1. ХьэмкIэ. 2. Щхьэц. 3. Хъыщт. 5. Пшагъуэ. 7. Мыгъуэ. 11. Къурыкъу. 12. Пырхъ. 13. Хьэх. 15. Хъан. 16. Брест. 17. Индыл. 18. ЕджакIуэ. 23. Жьым. 24. Пётр. 25. КIашэ. 26. ЩIыхь. 29. Билал. 30. Болэ. 31. Уэтэр. 33. Амыщ. 35. Бзий.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100515.txt" }
Зэшыпхъуибл Нобэ зи пычыгъуэ фи пащхьэ къитлъхьэ, усэу тха «Зэшыпхъуибл» Iуэтэж кIыхьыр Щамым къиIэпхъукIыжу Къэбэрдейм лъапсэ щызыухуэжа Захуэхэ я унагъуэм теухуащ. Зэшыпхъухэм я нэхъыщIэ Кубра (и цIэ лейр — Куу) и дуней тетыкIэмрэ и гупсысэкIэмрэ хъыбарым и кIыхьагъкIэ псори зэрипхыу кIуэцIрокI. Кубра зэрырахьэжьар Махуэ гуэрым, дерс нэужьым, Кубра къуажэм къэблэгъэжу, «Шэрхъыр къэуащ», — къажреIэ я маршруткэм дэс щIалэщIэм. Бгъэзэжынущи – гъунэгъукъым, нэсыжынущи — нэхъейщ, Ежьэнщ шэрхъыр ядыжыхукIэ, щIэх къэсынукъым адрейр. ЦIыхубзитI я къуажэм щыщу къыдист пщащэм а гу махэм, Блэж машинэр къыщыувыIэм, тIуми абы зрагъахуэ. «КъакIуэ, дахэ, жэщ ухъунущ», — къыжраIэ, ягъэ кIын? ФэкIэщ тIури зэрицIыхур, къуажэм щыщу къыщIэкIынщ. Зэрыхуэн тIысыпIэ нэщIи иIэ хуэдэкъым машинэм, Телефоным «псэ» хэтыжкъым, щытщ Кубра и закъуэпцIинэу. «Уэ угъур цIыкIущ, укъихуэнущ», — нэхъыжьыIуэм хегъэзыхь, Уи щхьэ ущымыгугъыфу гъуэгу тетыныр сыт бэлыхь. Дакъикъитху фIэкIа дэмыкIыу, къуажэ гупэм къыщокIыжри, ПсынщIэ-псынщIэу я уэрамым долъэдэж тхьэрыкъуэ хужьыр. Ар дыгъуасэт. Нобэ гуэрым сыт маршруткэм къыщыущI? Къалэ щIыбым щыункIыфIауэ, хъей имыIэу щытщи щытщ. «ДывдэIэпыкъунщ», — жыхуаIэу, щIалитI-щым къыIухьэ защIри, Я къилъади, я къэпхъуати — Кубра цIыкIур бгъуэтмэ, къащтэ. Абдеж дыдэм щыт гу псынщIэм иракуауэ бжэр хуащIыж, Уи нэр техуэмэ, хъыджэбзым заригъэхьу къыпфIэщIынщ. «Я Алыхь! Сыкъыумыгъанэ!» — Кубра и щхьэр мэкIэрахъуэ, И гур зэгуичыным хуэдэщ кърапэс хьэдэгъуэдахэм. Телефоныр къыдихыфкъым, кIыфIым псори щIихъумащ, РэIис псынщIэу зыпищIэну зы Iэмали имылъагъу… ЩIалэри Налшык щолажьэ, хабзэхъумэщ Iэджэ щIауэ. «Алло!» «РэIис, сызэхэпхрэ…» — и жэуапыр нигъэсакъым. Телефоныр къыIэщIачри, зыгъэлажьэр кърахащ: «Умышынэ, хъыджэбз дахэ, псори хабзэм тету тщIащ». ЖьакIэ кIыхь, нэгъуджэ фIыцIэ… Кубра и гур фIокIуэдыпэ, Иджы псори къыгуроIуэ, шофёритIри щыщт мы гупым. ЦыхэкI гуэр кърашэкIащи, жьы къэшэгъуэ къримыт, «Iэхъий! Къетхьэжьащ, ныдошэ», — зэрыжаIэр зыхещIыкI. РэIис дыгъухэм якIэлъожэ РэIис лэжьапIэ нэужьым зыщиукъуэдийт спортзалым, ТIэкIуи къэгуфIат, ухуеймэ, шыпхъу нэхъыщIэр къыщыпсалъэм. Здишэжыным триухуэу къытрехри… Къэхъур сыт? Кубра жиIэр нимыгъэсу, макъ мыцIыхум зэпеуд. ПлIым лэжьэн еух, я къуажэм тхурэ тIощIхэм нэсыж хабзэщ. Тхум текIа маршруткэр даIэ? Дэсыр хэт? Исар цIыху дапщэ? Шофёр гупым яхолъадэ… КъигъуэтакIэщ… Мес, йоупщI… Кубра къыщыщIар ибзыщIмэ, и псэр хухихын хьэзырщ. Хабзэхъумэ фащэ щыгъыу упщIэр къыщытыриубыдэм, Iыгъын хуейуи ищIэжакъым шофёр щIалэм псалъэ быдэр. «Здашэр?» «КъалэкIыхьым». «Адрес?» «Хуитыныгъэм и уэрам». РэIис мыщэ Iэлым хуэдэт зыкъигъатхъуэу щыщIэпхъуам. КъалэкIыхь хабзэ хъумапIэм напIэзыпIэм йокIэпсауэ: «Ладэ» фIыцIэм исщ, зэкIуалIэр Хуитыныгъэм и уэрамырщ». Гузэвэныр къытекIуащи, шэрхъхэм езыр ятежынт, И лэжьэгъухэр къэпсэлъэжкъым… Нэхъри нэхъ псынщIэж зищIынщ. Мыдрей гупыр гурыщхъуэншэщ: «Зэт, ей, телефоныр къоуэ!» «Машалахьхэр» хууэ тепсэу, уи щхьэм имытыныр Iуэхукъэ. ИгукIэ тхьэ йолъэIу хъыджэбзыр, фIым щыгугъыр муслъымэнщ, Псалъэм гугъэ храгъэхмэ, и нэмысыр хуэхъумэнщ. ЦIыхухэм гущIэгъу зыхуамыщIым ГущIэгъубэрщ и гугъапIэр, ГуащэнапщIэу гъагъэ цIыкIур фщIэкъым фэ зэрыбэнакIуэр. КъэувыIахэщ. Тепхъуэ Iувым и мэр тэмакъыщIэм щIэлъщ, «Мыр мэхами тщIэркъым… Догуэ… И щхьэгъубжэр егъэжэх…». Бжэри Iуах ягъэбэуэну… КъокI… ЩIакIуэжьыр къыхыфIедзэ, Инд кино ухуэзэшамэ, къакIуэ, нэгузыужьым щIедзэ. Кубра къызэрыщIэпхъуэжар Сыт гунэфым и Iэмалыр — жьэкIэ диным и уэчылщ, Пщащэр къыщIрахьэжьами хуаусынущ зы «дэлил». «СывутIыпщыж», — яжреIэ, Iэмал къэнэжар яриту, «ЗимыхъунщIэу зыри яхькъым», — мэгушыIэ «сэлэфитхэр». КIыфIщ. ЩIалитIыр къыбгъэдохьэ… Тобэ, ярэби, Кубра Нобэ сыту фIыуэ и кIэ «дыгъэ ныкъуэр» щитIэгъа! «Тхэквондо» — арат зэреджэр къупщхьэ гуащэм и бэнэкIэм, Къэрэгъулт езыгъэсари — узэрыхуеинур пщIэркъым. Удын зырыз ящытехуэм, гузэвэгъуэ къатехьащ — Зы хъыджэбз щIалитIым текIуэу хэт игъащIэм илъэгъуа? Сыт ящIэнур? Бгъэдыхьэну зы бэкъуэгъуэ къалъигъэскъым, «КIуэи, зыгуэр къыщIэш», — тIум языр егиящ гублащхьэдэсым. Дэнэ кIуэн, зреч — уэрамым гъуэгурыкIуи щимыгъуэт, Тхьэм къихъумэ хъыджэбзыфIым бийри и дэIэпыкъуэгъущ. ЩIалэ делэр лъэсу щIопхъуэ, и IункIыбзэр къыздимыщтэу, «Сыт къэна иджыри, ди Тхьэ, Уэ Уи пщылIым къыхуумыщIэу?!» «Ладэм» допкIэ, зэщIегъанэ, шэрхъхэр тхьэджэу зыкъегъэш, Нэгум щIэкIыр я фIэщ мыхъуу, мыдреитIыр къоуIэбжь. «Мыр амирым и фIэщ хъуну?» «Хуитщ езым зигъэхъеину». «Къызэрепхьэжьа машинэр птезыхам упэлъэщыну?» Напэтехщ ар, зиусхьэнхэ, жаIэжыным нэвмыгъэс! ПсынщIэ-псынщIэу фыкIэлъыжэ, нысэ къахькъым махуэ къэс! Кубра гъуэгум зэрытехьэу, полицэ машинэ гупым Ирахужьэ… КъагъэувыIэ… Автомат къытраубыдэ. РэIис и ныбжьэгъухэрат ар, «Ладэ» фIыцIэр къаубыдащ. Сыт мыбы хъыджэбз щIыдэсыр? «Уи дэфтэрхэр дыгъэлъагъу!» Зэхагъэгъуэща яфIэщIу, номер тетыр ирагъапщэ, РэIис еупщIыжмэ, тыншкъэ: «И цIэр хэт къэтлъыхъуэ пщащэм?» Мес, езыри къабгъэдохьэ, и жэуапыр нэгум къощ. Куу хъуржыныр игъуэтыжкъым, хьэуэ, мес, мобдеж кIэщIэлъщ. Щхьэр къиIэту хабзэхъумэм и дэфтэрыр щыIэщIилъхьэм, Асыхьэтым гу лъитакъым РэIис къаплъэу зэрыщытым. Ар къызэрилъагъуу, пщащэм нэпс къудамэ IэщIэкIащ, КъыщыщIахэр зыдигъуэжми, дэлъху зэриIэр наIуэ хъуащ. Дэнэ щыIэ хъыдан шухэр — Пенелопэ и псэлъыхъухэр? Лъэпкъыр — щIакIуэм, диныр — жьакIэм къыдихыжу къызыщыхъухэр? Хъыджэбз цIыкIум и «IэбэкIэр» зыкъомыфIрэ ярикъунт, Ауэ «къысхуэгъэгъу» къудейкIэ къэрал хабзэм уфIэкIын? Къэхъуа псори ятхыжыхукIэ, пIалъэр нэблэгъащ жэщыкум. УнагъуитIыр мэгузавэ… Ежьэжынщ зэдэлъху-зэшыпхъур. Захуэмрэ къуаншэмрэ Залымыгъэ хэлъу пщащэ езыхьэжьэр щIэпхъаджащIэщ, Хилъэфахэм зыкъаумысмэ, тезыр техуэхэри гуащIэщ. ХэIущIыIу ямыщIын мурадкIэ сыт хуэдизым забзыщIа, Адэ, дэлъху зимыIэ дапщэм гъащIэр хузэпаупщIа? Кубра, къаIэщIэкIыжами, апхуэдизкIэ и гур хэщIти, Хабзэхъумэм епсэлъэныр къытехьэлъэт а пщыхьэщхьэм. Ауэ, зигъэнэмысыфIэу, ибзыщIамэ къыщыщIар, Хэтыт щIезыгъэгъуэжынур и дунейр зэIызыщIар? Бэлыхь лъыхъуэм къигъуэтат ар. Къэралыгъуэр къыхэмыхьэу, Псэгъуу узэхъуапсэм сытыт хабзэкIэ улъыхъу щIэмыхъур? Тырку сулътIану зыплъытэжу, гъэр къэбубыда нэхъей, И цIи и щхьи бгъэулъийуэ, пщащэр бгъэпудын щхьэ хуейт? Кубра куэдрэ щаIыгъакъым КъалэкIыхьым и полицэм, Къагъуэтынщ, гува-щIэхами, иса гупыр «Ладэ» фIыцIэм. А щIалищыр къицIыхужмэ, я «амирри» къыкъуэкIынщ, РэIис къелмэ, акъылыншэм гъащIэ иIэу къыщIэкIынщ. Армырами цIэрыIуэнкIэ щIыхуэ зытемылъ хъыджэбзым Хъыбар зэпыщIапIэу щыIэм ущыхуэзэт и унэцIэм. «IэлъэщI зытелъ пщащэ цIыкIур бэевичхэм ятекIуащ». Пэжи, пцIыи, ауэ цIыхухэр лъэныкъуищ зэрищIыкIащ. Я нэхъыбэм ягу Iей илъкъым, уэрэ сэрэ дэщхьыркъабзэщ, Андез щтэным иумыхулIэ, я гур зэнзэныпсу къабзэщ: «ЦIыхухэм ещхьу зихуэпамэ, цIыхум ещхьхэр къылъыхъунт, «Чупэ-чупсу» ущыдэткIэ, «киндер» гуэри къыкъуэкIынщ». Щысхь ямыIэу жьэрыIэзэщ адыгэбзэкIэ цIыхуфIхэр, Зыгуэр кърамыцIэлэхмэ, я щхьэр лъагэу яIыгъыфкъым. Адыгагъэм и уэчылщи, лъэпкъым и пщIэм псэр щIатынщ, Пщащэ цIыкIу ухуэпсэлъэнри адэ щIэин къыщIэкIынщ. Зи жьэ зэтезымыпIэжыр яхьри здахьри зыщIэ «шыпхъухэрт»: «Ар зи лъакъуэ къэIэтыкIэ, хуейми, зыщIремыхъумэ». ЛъэныкъуитIым я зэхуакум удэтыфмэ, зыкъэумыс: Дин зезыхьэм уфIэпсынщIэщ, «мыджаурхэм» дзы пхуаус. Зэмыщхь пфIэщIми, текIуэрщ я хьэр. Уэр нэхъ лъэщ утыку къилъадэм, Уи щыщIагъэу къыумылъытэ ахэр зэрикIар уи натIэм. Къагъуэтащ Кубра и «лъыхъухэр», хъыбарыщIэхэр щыхьэтщ: «Дин зезыхьэ гуп мыхъумыщIэ КъалэкIыхь къыщыщIагъэщ». Къэрэгъул гупсысэм хохуэ. УнагъуитIыр мэгузавэ. РэIис и ныбжьэгъу пэлъытэт къалэкIыхь полицэ щIалэр. Ар хамыгъэIэбэжыххэу, пцIы зэрызэIуащэр хьэкъщ. «Къаубыд пэт къебгъэрыкIуати, яукIащ», — жаIэнри хэлъщ. «Тхьэусыхэр» къыIахыжмэ, Iуэхур зэхуащIыну пIэрэ? «ЗезгъэцIыхужынущ» жыпIэу, хэт и анэ бгъэгуIэнур? Дзэм хэта Уэлид мэбампIэ. Мыр сыт хабзэ? Сыт къэрал? Къуаншэм пцIы зэрытралъхьэм езыр захуэу къыщегъэхъу. Мэрем махуэм ирихьэлIэу Къэрэгъул здэкIуа мэжджытым ЛIы мыцIыху къыщыбгъэдохьэ, езым нэхърэ нэхъыжьыфэу. ЯгъэтIыса гупым я зым и Iыхьлыщ, адэшхуэ ныбжьщ: «Дапщэ жыфIэми, фэттынущ, кхъыIэ, тхылъыр къыщIэфхыж». РэIис къриджащ пщыхьэщхьэм. Армырами ягу зэрощIэ. Iуэхур зыIэщIэлъ адыгэм хэзэгъэфмэ… ахъшэ, бохъшэ. КIэщIу жыпIэмэ, мо гупым «бэевичыр» кIэрахыж, МащIэу къуейщIеям тралъхьэ мылъку тезыркIэ хуит мэхъуж. Ауэ, къаутIыпщыжами, кIэлъыплъакIуэхэр я куэдщи, «Гува-щIэхами дашынущ, — жаIэ, — нэхъыфIщ, загъэкIуэдмэ». Зы зэман, Кавказым икIыу Щамым кIуахэм я сурэт Интернетым къралъхьати, а тхьэмыщкIэхэр яхэтт. УтхьэмыщкIэкъэ гу къабзэм къуит тыншыгъуэм ухуэнэфмэ, Пэжым Iущ ущIэмыхъукIмэ, хамэ щIыпIэ ущыунэхъумэ?! Зыми имыхьэлъэ ихькъым. «Муслъымэнхэр дызэкъуэшщ!» Ялыхь, дыбэлэрыгъыхукIэ дахэкIэ дызэшэлIэж. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100518.txt" }
ЩIыуэпсым щысхьыныр фарзщ ЩIыр зезыхьэм, абы гъавэу къытрихыр кIэрыхуншэрэ бэгъуауэ кърихьэлIэжынымкIэ зэран хъу нэрымылъагъу хьэпIацIэхэм, къинэмыщIхэм ар ящихъумэн хьисэпкIэ, пестицид щхъухь гуащIэхэр щIэх-щIэхыурэ къегъэсэбэп. АтIэми, IэщIагъэлIхэри щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, езы мэкъумэшыщIэхэми гу зэрылъатамкIэ, хадэхэкIым хущхъуэ папщIэу ирахьэлIэм и мащIагъ-куэдагъэр хухагъэунэхукIа мардэм фIагъэкIмэ, а Iуэхугъуэр езы щIыгулъми, къэкIыгъэми йогуауэ. Пестицидыр зылъэIэсыр къэкIыгъэхэм зи зэран екI нэрымылъагъу цIыкIужьейхэм я закъуэкъым, атIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, езы щIыгулъыр «зыгъэпшэр» микроорганизмэхэми я «лъэр щIеуд», цIыхухэми псэущхьэхэми я Iэпкълъэпкъым сэбэпынагъ къахуэзыхьу къалъытэ микроэлементхэри зэхекъутэ. НэгъуэщIу къыжытIэмэ, щIым хэмыткIухьыж щхъухьхэм мэкъумэшыщIэхэр апхуэдизу зэлIэлIа хадэхэкIхэр зыIубгъахуэ мыхъун щытыкIэм хуешэ, ахэр зэзыхьэлIэ псэущхьэхэми цIыхухэми я Iэпкълъэпкъым сэбэп зэрахуэхъужын щIагъуэ щымыIэжу апхуэдэщ. АрщхьэкIэ, IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, егупсысарэ агрощIэныгъэм зэрыщыхагъэунэхукIауэ щхъухьхэр щIым ирахьэлIэмэ, а Iуэхум гъавэгъэкIхэр зэрыщыгуфIыкIыжынуми шэч хэлъкъым. Мыдрейуэ къыхэдгъэщ зэрыхъунумкIэ, щыIэщ хьэпIацIэм еуэным хунэмысу къыдэхуа пестицидыр зэщхьэщызыхыу зыгъэкIуэщIыж микрорганизмэхэри. Абыхэм я апхуэдэ зыкъызэкъуэхыкIэм «микробиологие детоксикацэкIэ» йоджэ. Абы и зыужьыкIэр елъытащ щIы щхьэфэм къыщекIуэкI щIыIагъэ-хуабагъэми, щIыгулъыр зыгъэщIытэ псыIагъэми, щIыгъэпшэррэ гумусу абы халъхьам я Iувагъми, нэгъуэщI абы хуэдэ щхьэусыгъуэхэми. Ауэ щыхъукIи, пестицидхэр пкъыгъуэ-пкъыгъуэкIэрэ щIыгулъым и чэзум щыхэткIухьыныр епхащ ар здыхакIутэм псыр ирикъуу зэрыщIагъэлъэдами, щIыгъэпшэрхэр и чэзум зэрыхагъэзагъэми, а щIыпIэм щезэгъ жылэхэр къызэрыщагъэсэбэпами, езы щхъухьзехьэхэм я хэгуэшэ-кIэу щрагъэкIуэкIами. Мыри къыхэгъэщыпхъэщ. ГъавэхэкIхэм ящыщу зи сатырхэр давыкIхэм (жьыдэхупIэ зиIэхэм) я деж пестицидхэм я хэкIуэсэкIэр (детоксикацэр) щынэхъ щIэхщ, хьэдзэ зыщIхэм я деж зэрыщекIуэкIыр нэхъ хуэмущ. Урысей мэкъумэш кIэлъыплъыныгъэмкIэ IуэхущIапIэм (Россельхознадзор) и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ зэхуаку управленэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и IэщIагъэлIхэр ди щIыналъэм и щIыгулъым и щытыкIэм щIэх-щIэхыурэ кIэлъоплъ, ирахьэлIэ пестицидхэм я куэдагъ-мащIагъэр зыхуэдэр къыщапщытэ. АбыкIэ IэмалыфIщ щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щIыгулъ IэмыщIэу къыщыхаххэм я зэхэлъыкIэр зрагъэщIэн хьисэпкIэ ахэр Ветеринар, фитосанитар кIэлъыплъыныгъэмкIэ федеральнэ къулыкъум и Къэбэрдей-Балъкъэр референт центрым деж щыIэ къэпщытапIэм зэрырашалIэри. БЭРАУ Бышэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100521.txt" }
Бжьэдыгъу Аксанэ: «Сэ адыгэбзэм дэни сынехьэс!» Бжьэдыгъу Аксанэ куэдым къацIыху адыгэ шхыныгъуэхэр IэфIу зыпщэфI бзылъхугъэу. Езым зэрыжиIэмкIэ, пщэфIэным еджапIэ нэхъыщхьи дипломи хуейкъым, езыр-езыру зебгъасэ мэхъу. Аксанэ бухгалтерщ, езым и IуэхущIапIэ иIэжщ. И лэжьыгъэм, дэзыхьэххэм ятеухуауэ депсэлъащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ къыджиIам. — Аксанэ, куэдым укъа-цIыху адыгэ шхыныгъуэ IэфIхэр зыпщэфI бзылъхугъэу. Тыркуми урагъэбла-гъэри, пщэфIэным и щэхухэмкIэ уадэгуэшащ абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм. — ИлъэситI ипэ Тыркум срагъэблэгъат, абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр пщэфIэнымкIэ си дерс щIэзгъэдэIуну. Къайсэр къалэм щыIэ Адыгэ Хасэрт сезыгъэблэгъар. Къапщтэмэ, бзылъхугъэр пщэфIэным хуеджэн хуеиххэкъым, хуеджагъэххэм хуэдэу пщэфIэн хуейщ. Ауэ, итIани, сызэрырагъэблэгъам жэуаплыныгъэ хэслъхьэри, пщэфIэнымкIэ Iэзагъэр щыхагъахъуэм сыщеджащ. Абыи и закъуэ?! ТыркубзэмкIэ егъэджакIуэ къасщтэри, ари мащIэу зэзгъэщIащ. «Згъэлъагъуэхэр, сызытепсэлъыхьхэр къагурымыIуэмэ, къысхуэсэбэпынщ», — жысIат. Ауэ, икъукIэ сыщыгуфIыкIащ къызэрызмыгъэсэбэпами — фIы дыдэу адыгэбзэр ящIэ. СыщыкIуам яжесIат пщэфIэнымкIэ дерсым цIыху 15 нэхърэ нэхъыбэ къекIуалIэмэ гугъу зэрыхъунур. Сыту жыпIэмэ, дэтхэнэми Iэмал естыну сыхуейт зыгуэрым щIэупщIэну, сыпщэфIым зыгуэркIэ къыхэIэбэну, нэхъыбэм щIэупщIэну Iэмал яIэну. АрщхьэкIэ, цIыху 40-м нэблагъэ къекIуэлIат. «ЦIыхур куэдщ, къэдмыгъакIуэмэ, загъэгусэ», — жаIащ сезыгъэблэгъахэм. Абыи хэкIыпIэ къыхуэдгупсысащ: япэ махуэм псори дызэгъусащ, адэкIэ, гупитIу дгуэшри, махуэм тIэу къытедгъазэурэ дыпщэфIащ. Ди япэ дерсым щыгъуэ цIыхубзитI къэтIысат, тIэкIу зэрымыарэзым гу лъыптэу. Абыхэм саIуплъэри, сазэрыхуэгуапэр къыхэзгъэщу сыдыхьэшхащ — бзылъхугъэхэр зыкIэ ещхьти ди гъунэгъу гуэрхэм. «ЛIо, Къэбэрдейм дыбгъэсэжын уи гугъэу укъикIауэ ара, жыхуэфIэу фыкъэтIысаи! — жызоIэ сэри. — Фи фIэщ фщIы, фезгъэсэнкIэри хъунущ. Адыгэ шхынхэм я пщэфIыкIэращи — фщIэххэркъым!» Сахуэгушхуауэ сызэрыпсалъэр щалъагъум, езыхэри дыхьэшхащ. Апхуэдэу дызэрыцIыхури, гъунэгъу дыди дызэхуэхъуащ. Сыт сыпщэфIми, пIастэ дыщIызгъуну сфIэфIт. «ХэкумкIэ къикIыу хъуар апхуэдизу щхьэ фыдахэ, зыгуэр щэхуу зывохьэлIэ!» — жаIэрт. «ФымыщIэу ара, шатэщ дэ зэтхьэлIэр. Шатэ куэду дошх», — жысIэрт. Махуэ гуэрым лыбжьэ сщIынути: «Дэри лыбжьэ тхуощI, нэхъ хьэлэмэт гуэр дыгъэлъагъу», — жаIащ. Сэ сщIэртэкъэ абы лыбжьэ яхуэщIрэ яхуэмыщIрэ! СщIащ лыбжьэр. Шатэ щыхэслъхьэм ари ягъэщIэгъуат. Ауэ пщэфIэн суха нэужь, лыбжьэр щIэх дыдэ шхын яухат. — Хьэл-щэнкIэ хэкурысхэм къащхьэщыкIыу къыпщыхъуа хэхэсхэр? — Хамэ щIыпIэм щыпсэу пэтми, Хэкум щыпсэу адыгэхэм ещхь дыдэщ я хьэл-щэнхэр, я зыщIыкIэхэр, я теплъэр. Я псэлъэкIи, я зыгъэгусэкIи, я гушыIэкIи ди хьэблэ фызхэм ещхь дыдэщ. ТхьэмахуитIкIэ дызэхэтащ, ныбжьэгъу дызэхуэхъуащ. КIуэаракъэ, игъащIэм дызэрыцIыхуу дыкъекIуэкIам хуэдэт. — Уэ къэрал куэдым ущыIащ. Зыгуэр къахэбгъэщхьэхукIрэ? — Илъэсий ипэщ Тыркум япэу сыщыкIуар. «Къэралыгъуэшхуэхэм я лъэужькIэ» («По следам великих цивилизаций») еджэу Тыркум щыIэт нэгузегъэужь тур. Сочэ цIыхугъэ къыщысхуэхъуа зы бзылъхугъэ сщIыгъуу дыкIуат. Километр мин 12 къыщызэхэткIухьащ, къали 9 къызэщIиубыдэу. «Троянский конь», «Храм Артемиды», «Топкапы»… Мыхэр сыту щIыпIэ телъыджэ! ИтIанэ, зы хьэлэмэт… Гъуэгуу дызрикIуам, зы щIы кIапэ ягъэхьэулейуэ дрихьэлIакъым — псоми зыгуэр хасат. Гъуэгубгъу нэгъунэ удз гъэгъат. Абы щыгъуэм тщIыгъуа щIыпIэгъэлъагъуэм (экскурсоводым) гунэс къысщищIащ Тыркур. Ар ухуэныгъэхэм зэрытепсэлъыхьым, тхыдэм зэрыхэIэбэм, дигъэлъагъухэм хъыбару ядыщIигъухэм удахьэхырт. ИтIанэ сэ си цIыхугъэ гуэрхэр си гъусэу Тыркум сыкIуауэ, Топкапы деж сащыхутепсэлъыхьырт а щIыпIэм. Мылицэ къраджауэ щытащ сэр щхьэкIэ, «лицензэ имыIэу экскурсоводу мэлажьэ», жаIэри. — Хамэ щIыпIэхэм адыгэбзэр къыщысэбэпрэ? — Сэ адыгэбзэм дэни сынехьэс! Дэнэ щIыпIэ сыкIуэми, адыгэбзэщ сызэрыпсалъэр, Iэмал иIэххэмэ. Инджылызыбзи сощIэ хъарзынэу, тыркубзэми хызощIыкI, ауэ адыгэбзэкIэ псэлъэн щIызодзэ. Сыт сыщIэмыпсэлъэнури! Си адыгэбзэм си Iэпэтэрмэшыр щIызогъури, сызыхуейр зыжесIэм къыгуроIуэ. Сэ, псалъэм папщIэ, Истамбыл сыдэтмэ, абы сыт хуэдэ лъэпкъи сыщыхуэзэфынущ. Абы и бзэр щхьэ сэ къэслъыхъуэн хуей?! Бэзэрым сытехьэми, аращ: «ЛIо мыбы жыпIэр?», «Сыт и уасэр?» — жызоIэри сытетщ. — Уэ сытыт узыхуеджар, Аксанэ? — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым учётымрэ экономикэмкIэ и факультетыр 1992 гъэм, МГУ-м географиемкIэ и факультетыр 1998 гъэм, МВД-м Краснодар щиIэ и университетыр юристу 2009 гъэм къэзухащ. 2000 гъэм экономикэмрэ управленэмкIэ кандидат лэжьыгъэр пхызгъэкIащ. КъБКъУ-р къэзуха нэужь, Мэкъумэш академием егъэджакIуэу сыщылажьащ. Диссертацэ щыстхым щыгъуэ, Москва сыкIуэн хуей хъуащ, иджы хуэдэу ИнтернеткIэ къебгъэхьурэ узыхуейхэм ухэплъэ хъуртэкъым а зэманым, библиотекэм ущылэжьэн хуейт. Академием къыздэлажьэ бзылъхугъэрэ сэрэ зызэщIыдгъури дыкIуащ — абыи итхырт диссертацэ. Москва дызэрыщыIа мазэр си ныбжьэгъум сэрэ махуэ телъыджэ защIэу дигу къинащ. Зэпымыууэ щIэщхъу къытщIыщIырт, абы дридыхьэшхыжырт. Дэ тIур мылицэм дыкъагъэувыIэрт зэпымыууэ. Сэ сыт щыгъуи адыгэбзэкIэт сызэрыпсалъэри, си гъусэм жиIэрт: «Уи адыгэбзэращ дыкъыщIагъэувыIэр». Сэри: «Уэ уи нэр къижу зыбоплъыхьри, мыбы дызэрыщымыпсэур дыкъащIэу аращ», — пэздзыжырт. Махуэ гуэрым библиотекэм дыкъикIыжу дызэгуроIуэ: «Еуэ, мылицэм дыкъагъэувыIэну хунэмыс щIыкIэ, цIывыгъуэкIэ дыгъэкIуэж, адэкIи-мыдэкIи домыгъэплъэкI». Дыздэплъэр ди занщIэу метром дыхуожэ. Иджы дынос щыжытIэм, дэнэт… дыкъегъэувыIэ мылицэм. Сэ урысыбзэкIэ жызоIэ: «ДыкъыщIэвгъэувыIэр къызгурыIуэркъым, ди нэкIум зыгуэр илажьэ хьэмэрэ жылэм ямыщIэ гуэр тщIэрэ, метром дыжэу аращ икIэри ипэри…» Езыр погуфIыкIри, жеIэ: «Псори метро ихьэпIэмкIэ мажэ, фэ къикIыжыпIэмкIэщ фыздэжэр. Аращ фыкъыщIэзгъэувыIар». — «Нарт» ООО IуэхущIапIэм утезгъэпсэлъыхьынут. Сыт абы фIэфща цIэ дахэм и къежьапIэр? — «Нарт» IуэхущIапIэм бухгалтер Iуэхутхьэбзэхэр щыдощIэ. Бухгалтер зыбжанэ щолажьэри, абыхэм фирмэ гуэрхэр е цIыху щхьэхуэхэр къегъэщIылIащ. ЛэжьэкIэ хъунури езыхэм зарэфIэтыншым хуэдэу доубзыху. Хэти къокIуэри, ди бухгалтерыр бгъэдэсу, дэфтэр Iуэхухэр, ахъшэ егъэхьын-къегъэхьынхэр егъэтэмэм, хэти, телефонкIэ къэпсалъэурэ, абыкIэ зэфIокI. Е, псалъэм папщIэ, Магадан щыщ гуэрым дыдолажьэ иджыпстуи, ИнтернеткIэ ди сайтыр къагъуэтри, зыкъытпащIащ, электрон IэмалкIэ зэгурыIуэныгъэхэри зэдухылIащ. Я IуэхущIапIэм и бухгалтерие Iуэхур дэ идогъэкIуэкI, езыхэм мазэм техуэу улахуэ щхьэхуэ ди счётым къралъхьэ. ЦIыхухэр куэдрэ зыхуей хъу Iуэхутхьэбзэщ бухгалтерие Iуэхури, лэжьыгъэншэ дыхъуркъым зэи. Ди IуэхущIапIэм «Нарт» фIэтщын щIэхъуар! Си адэм и цIэр Нартщ. IуэхущIапIэр бухгалтерием пыщIауэ щытакъым нэхъапэм. Си дэлъхум мэкъумэш Iуэху гуэрхэр зэрихуэн и гугъати, иужькIэ, къимыгъэсэбэпыж щыхъум, сэ IуэхущIапIэ схуэхъужащ. Абы щыгъуэщ «Нарт» щыфIэтщар. Туризм Iуэхухэм пыщIауэ сублат фирмэр. Си адэр школым щылэжьат игъащIэм. ГеографиемкIэ иригъаджэу щытащ. А зытепсэлъыхь къэралхэм, картэмкIэ сабийхэм яригъэлъагъухэм езыр къыщесшэкIыну, и нэгу зезгъэужьыну сехъуапсэрт. АрщхьэкIэ, къупщхьэ уз иIэ хъури, гъуэгуанэ жыжьэ теувэнуи Iэмал иIэжакъым. Зы зэман ди IуэхущIапIэр дэлажьэу щытащ хамэ къэралым къикIыу адыгэшым, адыгэ уанэм теухуауэ гъэщIэгъуэн гуэрхэр къэзыщIэну, ахэр яджыну ди щIыналъэм къакIуэхэм. Ахэр зыдихьэхыну къытщыхъу щIыпIэхэм, шы фермэхэм тшэрт, дахэ гуэрхэр едгъэлъагъурт. Туризмэм и Iуэхур духын хуей хъуащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къэхъуа Iуэхум иужькIэ. Республикэм туризм щыIэжтэкъым, цIыхухэм я къэкIуэныр зэпыуат. — «Лашын» и фIэщыгъэу Бзылъхугъэ хасэ къызэбгъэпэщащ илъэс зыбжанэ ипэ. Абыи укъытезгъэувыIэнут… — Пэжщ, Бзылъхугъэ хасэ зэхэзублащ. Абы и япэ зэхыхьэр Сирием къикIыжа ди шыпхъухэм ятедухуати, къедгъэблагъэри, дызэбгъэдэсат, дызэрыцIыхуат. Иджы дызэрощIэ. Адыгэ бзылъхугъэм къыдекIуэкI Iуэхугъуэ дахэхэрщ дызытепсэлъыхьыр, дгъэкIуатэр. Иджыблагъэ «Си анэм и пщэфIапIэм» («Мамина кухня») тхылъыр къыдэдгъэкIащ. И фIэщыгъэми гурыIуэгъуэ зэрищIщи, си анэм ипщэфI шхыныгъуэхэрщ зи гугъу сщIыр. Уи сабиигъуэу узэса шхыным нэхъ IэфI щыIэкъым — ар игъащIэ псокIэ IэфIу уи Iум къонэ. Сэри тхылъыр хуэстхащ адыгэ шхыныгъуэ-хэр пщэфIыным сыхуэзыгъэса, лъэпкъ сыкъызыхэкIар фIыуэ сэзыгъэлъэгъуа си анэм. Иджыпстуи зэлэжь иIэщ ди Хасэм. Нало Заур и «Таурыхъищэ» тхылъым итхэр Щэрмэт Людмилэ и макъкIэ идогъэтх. Апхуэдэ аудио- хэм щхьэхуэныгъэ гуэрхэри хэлъщ, псалъэм щхьэкIэ, ватсапкIэ зэIэпыпх хъунущ. Дыхуейщ цIыху куэдым яIэрыхьэну, анэхэм я цIыкIухэр драгъэхьэхыну. — Тхьэм уигъэпсэу! Уи мурадхэр къохъулIэну ди гуапэщ. Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100523.txt" }
Жьыбгъэм ихьыжахэр… ЯгъэкIуэдат… Мы псалъэ жагъуэр нэпкъыжьэу зытелъ цIыху дапщэу пIэрэ адыгэхэм нобэ къытхэтыр? БлэкIам и удын бзаджэр зридзауэ дапщэу пIэрэ нобэ псэууэ щыIэр? Ар жыIэгъуей хъуну къыщIэкIынщ. Ауэ я щхьэ кърикIуа бэлыхьлэжьаехэм гур якъутэми, щIэблэ къызыщIэнахэм Тхьэр етат жыпIэ хъунущ, адэжь-анэжьхэм я фэеплъыр къазэрыхуэнам, гукъэкIыж гуэрхэр зэрахъумэфам щхьэкIэ. Я цIэ къудей къэмынэу щыIэныгъэм лъэужьыншэу хэкIуэдыкIыжа лъэпкъхэм я натIэ хъуам уеплъмэ, «ягъэкIуэдат» псалъэм кIуэцIылъым уегъэтхытх, фэеплъым и мыхьэнэри гуащIэу зыхыбощIэ… ЩауапцIэхэ, Тогъуланхэ, Ашабэхэ, Сидхэ, Цыбылэхэ, НапцIэхэ, нэгъуэщI лъэпкъхэми я цIэ къыпхуиIуэнут – ахэр адэжь щIыналъэм щыув псэукIэщIэм лей ищIакIэт, ящыщ гуэри щыIэжкъым, я фэеплъи зыхъумэни къащIэнакъым. Арыххэуи, къэзыгъэзэжа нэхъыжьхэм я жыIауэ, я махуагъэти, жаIэжыни зыжраIэжыни щыIэщ… Зы нанэ мыпхуэдэу жиIэгъат: «Джэбыныншэ хъуа ди тхьэмыщкIэхэм дащытепсэлъыхькIэ, жьэрымэ яхуэдгъэу къытщыхъуу допсэу. Ягъэвар пхуэмыIуэтэжыну зэрыхьэлъарагъэнущ, гум зэрыдэгъэхуэгъуейрагъэнущ ахэр щIытщымыгъупщэр, я гугъу дымыщIуи щIагъуи щIыдэдмыгъэкIыр. Я сурэтхэм дыщеплъкIэ, сыту куэдыIуэ щIэрыщIэу нэгум къыщIэувэжрэ, сыту куэдыIуэ гум къыдридзеижрэ… Лажьэ ямыIэу зэхэзехуэн ящIахэм дыщэри данэри я Iуэхуакъым, мылъкури былымри кърадзакъым, я щхьэр хъумэным къыдэкIуэу, зэпхъуэри ягъэпщкIури я Iыхьлыхэм я сурэтхэрт, я бгъафэм телъу здыдахыр абыхэм я фэеплъхэрт. ЩытыкIэ хьэлъэ дыдэ ихуэгъа ди тхьэмыщкIэхэр а сурэтхэм къарит къарум къыщызэщIиIэта икIи псэууэ къыщигъэна куэд дыдэрэ къэхъуащ. Гугъэр сыту къаруушхуэ-тIэ…». ЯгъэкIуэдахэм я щIэблэм нэхъыжьхэм къащIэна сурэтхэр хуэсакъыпэурэ яхъумэ: мыпсалъэу, зыгуэр къэзымыIуатэу зыри яхэткъым. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ щыщ Шурдым Мусэбий и унагъуэм щахъумэ сурэтхэми уэршэр кIыхь къызытемыхъеикIын щIагъуэ яхэлъкъым. Зыр къэпщтамэ, пхузэгъэтIылъэкIыркъым, къыкIэлъыкIуэми уеплъыну Iэмал хуэбгъуэтыркъым – псори тхыдэрэ хъыбару зэIылъщ. Мис апхуэдэ гукъэкIыжщ а унагъуэм хуэсакъыу щызэрахьа сурэтитIым къапкърыкIауэ ди газетым и щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ итлъхьэну дызыхуейр. Сурэтхэм къыщылъагъуэр Къугъуэлъкъуей къуажэм щыщ Тэнащ Ислъам и бынхэрщ — Мэжидрэ Чэбэхъанрэ. Я нэгум къищ гупсэхугъуэм узыIэпишэмэ, я гущIэм Iэджэ гукъути щызэтелъщ абыхэм. Шурдымхэ я ныса Чэбэхъан и щIэблэр гугъу ехьащ жыпIэныр мащIэщ, апхуэдизкIэ зэхэзехуэн бзаджэ ахэр хъуати: хэкум ирагъэкIат, къызыхэкIар щхьэусыгъуэ хуащIу абы текIуэдэжари мащIэкъым. Шурдымхэ «дагъуэр» я куэдт: уэркъ лъэпкът, хуэщIауэ псэурт, зыхыхьэм къахэщырт. ГъащIэщIэм и жьыбгъэ къыкъуэуам ирихьэжьахэм ящыщ куэдыр дунейм темытыжми, ялъэгъуар къэзыIуэтэж сурэтхэр къэнауэ нобэми щыIэщ… Тэнащ Ислъамрэ Шурдым Даутрэ зэныбжьэгъуу, зэгъусэу ежьэрэ мазэ бжыгъэкIэ зекIуэ къэту зэщауэгъу пэжу къызэдэгъуэгурыкIуат. Зым и гуфIэгъуэр адрейм и хъерт, зым и гуауэр адрейм и нэщхъеягъуэт. МащIэ гъэунэхупIи ихуакъым ахэр, зыр адрейм щыгугъи дзыхь хуищIи зэрыхъунур хьэкъыу япхыкIат. КъаIэрыхьауэ ирехъу, къахэхъуэу щрет, зекIуэм я IэмыщIэ къихьар я зэхуэдитIт. «Тэнащ и къуэм и щыпэ хэдэурэ, Шурдым и къуэм къыхиха IыхьитIым нэхъей» гушыIэ зыхэлъ псэлъафэр щIэблэм къахуэзыгъэнар ахэращ. ЖыIэгъуэм зи гугъу ищIым Iуэху хэлъщ. ЗекIуэ зэрежьэнумкIэ сыт щыгъуи хъыбар зытыр Шурдым Даутти, къуентхъым япэу хэдэри Ислъамт. Апхуэдэурэ мащIэ кIуами, куэд кIуами, икIэм-икIэжым, тIуми я ныбжьыр нэсу щетIысылIэжым, игъащIэкIэ зэрымыгъэкIуэдыну икIи зэрыIыгъыну псалъи щызэратым, Тэнащ Ислъам и пхъур Даут и къуэм къригъэшащ. Арат Шурдым и къуэм IыхьитI къыхихащ, жыхуаIэр. Ислъам ипхъу Чэбэхъан НабдзэдахэкIэ еджэу цIыхубз зэкIуж къищIыкIат икIи, пэж дыдэу, апхуэдизкIэ дахэти, зэфэ псыр и джийм зэрехыр плъагъуну и щIыфIэр хужьт, щIакIуэу къытелъ и щхьэцри вындым хуэдэу фIыцIэт, жаIэ. Чэбэхъан Шурдымхэ къыщашэм, фитон зэрысым шу щитI къепщIэкIауэ нысашэу Къугъуэлъкъуей нэс кърашауэ къаIуэтэж. Унэм къыщрашми, куэбжэпэм деж щыт фитоным нэс алэрыбгъу плъыжьым къыхэщIыкIа лъагъуэм и дэлъхуитIыр — Муридрэ Мэжидрэ — и бгъуитIымкIэ къыщыту, зы лъэбакъуэ ячыхукIэ, цIыху пщыкIутIым Iэбжьыб зырызу дыжьын ахъшэр кърапхъыхыу ягъэкIуэтащ, жаIэ. Мэрзейхэ Бабыщ и цIэу къугъуэлъкъуеипхъуу, ауэ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм нысэ щыхъуауэ зы пшынауэ нысашэм я гъусэти, нысащIэм зыдищIу пшынэр къегъэпсалъэ, жаIэрт, апхуэдизкIэ и щIыкIэкIи, и плъэкIэкIи екIуу къригъэпщыкIутIыкIырти. ЖиIэр мэхъу хужаIэу Щоджэнхэ я зы фызыжь къуажэм дэсти, гуащэ хъуну къызыпэщылъ Шурдымхэ я нанэр, Iумадэ жыхуаIэр, абы деж кIуащ: «Думэнхэ я хабзэ уэсхынущ, ху мэжаджиблкIэ сыкъыпхуэкIуэнущ, нобэ си пщIантIэ къыдашэнум схупежьэ, IукIафIэрэ фIыхуэлъэу, и бзэм лъэхъу илърэ хъурылъхуу къысхущIэкIыну схуэлъаIуэ», – жиIэри. Шурдым Даут и щхьэгъусэ Iумадэ Думэнхэ япхъути, зи гугъу ищIыр хэткIи гурыIуэгъуэт – хъуэхъукIэ си хьэтыр къэлъагъуи, данэ лъагъуэ пхуэзубгъунщ, дыщкIэ нысибл сиIэщи, ху мэжаджэ Iэниблыр пхузэблезгъэхынщ, жиIэу арат. Апхуэдэт Думэнхэ я хабзэр. Апхуэдиз пщIэ къызэрыхуащIынум Щоджэнхэ я нанэр ебэкъуэфынутэкъыми, хъуэхъу едзыгъуэу зэпигъэувэм къытригъэзэжурэ, нысэу къашэр щауэ хъурылъхуу Шурдымхэ къахущIэкIыну лъаIуэурэ, хьэблэ нанэхэр и гъусэу тешэрыпIэм нэсыху нысашэм и ужьым иту кIуащ, жаIэ. Чэбэхъани, пэж дыдэу, щIалэ бынунэ дахэ хъуащ, лъэпкъми яхэзэгъащ. КъызыхэкIам и дыгъэ къыкъуэкIыгъуэм мэтэдж, къызыхыхьам я дыгъэ къухьэжыгъуэм мэгъуэлъ, хужаIэу щытхъу пылъу дунейм тетащ. КIухьэнышхуэ иIэу дунейм тетащ Чэбэхъан и дэлъху Мэжиди. Тэнащхи уэркъ лъэпкът, яхузэфIэкIырт, мылъкушхуи яIэт. Зыщыщ къуажэм пщIэ къыхуащIу, къыфIэлIыкIыу, хабзэрэ цIыхугъэкIэ къахэщу, гущIэгъурэ гулъытэкIэ икIэ къимынэу псэу лъэпкът. БлэкIа лIэщIыгъуэм, псэукIэщIэр щаухуэ 20-30 гъэхэм, ахэр лей хъуащ, я пщIэнтIэпскIэ къалэжьа мылъкум бжьыпэр зыIэрыхьахэр къыхуеплъэкI хъуащ, ар зи гуащIэдэкIхэр щрагъэсыкIыну илъэс бзаджаехэр къакIэщIэзэрыхьащ. Зы цIыхукIи цIыхуипщIкIи къамыгъанэу, Тэнащхи, Шурдымхэ яхуэдэу, зэхэзедзэн хъуат, ящыщ куэд дашат, къэзыгъэзэжари зырызыххэщ. Тэнащ Мэжид уей-уей жригъэIэрт, Къэбэрдейм и мызакъуэу, зэры-Кавказ щIыналъэу щыцIэрыIуэт, мылъкушхуэу къалъытэ адыгэш къабзэр гуартэшхуэу зэрихуэрт. ЖыпIэну ирикъунщ, 1915 гъэм ирихьэлIэу Мэжид и гуартэр шыщхьэ 1070-рэ хъууэ, абы щыщу шыбзыр 500-м щIигъуу, хакIуэр тIощI, шыщIэр щитI, ныбжь зэхуэмыдэхэм ит шыщхьэр 350-м нэблагъэу зэрыщытар. Мэжид шым и пIалъэ ищIэу, къеуэлIэнкIэ хъуну узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм фIыуэ щыгъуазэрэ абыхэм еIэзэфу, уеблэмэ зимыубгъу щIыкIэ сымаджагъэм и нэщэнэхэр къихутэфу апхуэдэт. Илъэс пщIы бжыгъэхэм Тэнащхэ зэфIагъэува шы гуартэм и фIагърэ и къабзагъкIэ къытекIуэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу, Къэбэрдейм япэ дыдэу къыщызэрагъэпэщауэ щыта Шууей Хасэм и тхьэмадэу Мэжид хахат. Мис абы щыгъуэщ нобэ тхъумэ Тэнащ Мэжид и сурэтыр щытрахари. Къалмыкъ БетIал Мэжид пщIэ хуищIырт. Балъкъ щыIэ, шы къыщагъэхъу заводым псэущхьэхэр щызэтелIэу щыхуежьэм, Мэжид къриджэри Iуэхур зыIутыр жриIат, Iэмал щыIэмэ, кIэрыхур къызэтригъэувыIэну, и Iэзэгъуэ хилъхьэнуи къелъэIуат. Тэнащ зэшхэм пIалъэ кIэщIым шы зэтелIэр къагъэувыIауэ щытащ, уеблэмэ хэхъуэ ящI хъуауэ я Iуэхур кърахьэлIат. Ауэ узэрыхуейуэ ухъумэ уунэхъурэт, жаIэ. Пщэрылъ къыщащIар зэригъэзэщIам щыгуфIыкIыну Мэжид игъуэ ихуакъым. Абы хузэфIэкIам зыгуэрхэр игъэбэмпIащ, я гъуэгу зэпиупщIауэ къалъытащ. ЗэраIуэтэжымкIэ, абы щыгъуазэ хъуа Къалмыкъым Мэжид жриIат Хэкум икIыну, зихъумэжыну. Ауэ Мэжид зыщIыпIи кIуакъым. Ипхъухэм плIыр унагъуэ ист, щыр езым къыбгъэдэст. Ауэ Iуэху къащIати, гувэми щIэхми Iэ щIыIэкIэ къызэрыхэIэбэнур фIыуэ ищIэрт. Гур зэрыгъум дыгъур ирожэ, жаIэ. Мэжид и къуэр ягъэкIуэдынухэм зэращыщым и хъыбар къэIуащ. Ар щыгъэтауэ, яукIыну унафэ зэрыщыIэри къищIащ. И насып кърихьэкIри, Мэжид и къуэр – Щыхьым – псэууэ къэнащ. Илъэс бжыгъэ зыкъом къытралъхьэри, Сэлэвки ирагъэхауэ щытащ. Тэнащхэ зэрагъэхъыбарымкIэ, щIалэр ямыукIыныр зи унафэр Къалмыкъ БетIалт. Щыхьым здагъэкIуам и адэм и цIыхугъэр къыщыхуэщхьэпэжащ. Лъэхъуэщым и унафэщIыр щIэуэ къэкIуахэм я цIэ-унагъуэцIэхэм къеджа нэужь, Тэнащ Щыхьым и цIэм хуэзащ. КъыщыпкърыупщIыхьыIуэм, Мэжид зэрикъуэр жиIащ. Абдежым унафэщIым КъалэкIыхьым къызэрикIар жиIэри, зы Iуэхугъуэ игу къигъэкIыжащ: зауэм дэкIыну къыщыкIэлъыджэм, хъун хуэдэ шы лъыхъуэурэ, абырэ и адэмрэ Тэнащ Мэжид деж екIуэлIат. Мэжид и шыбз гуартэм куэдрэ хэплъа нэужь, адэм мыр хъуну къыщIэкIынщ, жиIэри зыш къыхихат. АрщхьэкIэ, зэадэзэкъуэм Мэжид къабгъэдыхьэри, хэплъыхь щIащIым щIэупщIащ. Iуэхур зыIутыр щыхуаIуатэм, къыхахар иутIыпщыжри, Мэжид езым гуартэм шы къыхишащ, ар ахэр зыхуейм хуэдэ зэрыхъунур яжриIэри. Ар щыгъэтауэ, шы уасэри яIихатэкъым. Шым Iэджэ гузэвэгъуэми лIыр зэрыщихъумар жиIэжащ. «Адыгэхэр зыхуэдэр сощIэ, укъызэрагъэпэжынуми фIыуэ сыщыгъуазэщ. Уэ мыбы укъэзыхьар сыт хуэдизу мыщIэщхъу бзаджэми, уи адэм къысхуищIар пхуэсщIэжыну хьэкъыу зыхузолъагъуж, — жиIащ унафэщIым. — Нобэ щыщIэдзауэ си деж шыгухуу уIутынщ. Абы укъуэлIыкIынкъым». Мэжид и къуэр апхуэдэ щIыкIэкIэ ажалым къела хъуат… МыдэкIэ къэнахэм я Iуэхури щIагъуэтэкъым. Я унэхъугъуэти, Тэнащхэ дунейм тезымылъагъуэхэм ящыщ зы, илъэс IэджэкIэ НКВД-м хэтауэ, парторгу къуажэм игъэзэжат. МащIэрэ якIэщIэтхыхьакъым ар Тэнащхэ. ЦIыхур хужьрэ плъыжьу зэхэзымыдз, пэжым и телъхьэрэ захуагъэм и лъэныкъуэу щыт, абы ищIыIужкIэ зыхузэфIэкI лъэпкъыр совет псэукIэщIэм и бийуэ къалъытащ. Тэнащ зэшхэм ящыщу Мэжид, Хьэжумар, Батыр, Дохъушыкъуэ, Иналыкъуэ, ЦIыкIунахъуэ, Лэкъумэн, Хьэсэн, Хьэлым, Мышыкъэ, Алий, ТIатIу, Алимырзэ сымэ дашащ. Зы цIыхум къагъэзэжакъым. Мэжидрэ Хьэжумаррэ зэ дашри, я ныбжьыр зэрыхэкIуэтам къыхэкIыу, кърагъэгъэзэжауэ щытащ. Ауэ щхьэегъэзыпIи ямыIэу, мылъкуи ябгъэдэмылъыжу къыщынэм, ирагъэкIа я Iыхьлыхэм я Iуэху зытетыр къызэращIэу, якIэлъыкIуэжмэ нэхъ къащтащ. Зэгуэр яIэу щыта пщIэр джэгуалъэ зэращIыр зыхуагъэфэщакъым. Мэжид Узбекистаным 1938 гъэм дунейм щехыжащ… Чэбэхъан и дэлъхухэм я щхьэ кърикIуар къимыщIэу ныбжь хъарзынэ иIэу 1935 гъэм дунейм ехыжащ; езым и быным «лъэпкъым и бий» хъуну къащыпэщылъыр дяпэкIэт… Мэжид къигъэхъуа шыхэм Iэджэ хъыбар гъэщIэгъуэни яхэтщ. Мыри жыпIэж хъуну къыдолъытэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс IэджэкIэ и Iэтащхьэу щыта Мэлбахъуэ Тимборэ и анэмрэ Мэжид и къуэш Хьэжбэчыр и щхьэгъусэмрэ зэшыпхъут. ТIури Къаншыуей щыщт, Къудейхэ япхъут. Тимборэ и анэ шыпхъум я деж къэкIуауэ щыщыIэ зы махуэ гуэрым, Тэнащхэ хьэщIэ къахуепсыхащ. Гуартэм шыбз хакIуапщIэр къыщыхаш лъэхъэнэти, Мэжид унэм мыкIуэжу зигъэгуващ, хьэщIэри куэдрэ абы пэплъэн хуей хъуащ. И шым къепсыхыу унэм щыщIыхьэжым, хьэщIэхэр Мэжид мащIэу къехъурджэуащ апхуэдэш тесу, дауи, абы зимыгъэгувэнкIэ Iэмал зэримыIар. Шым теплъэ имыIэ щхьэкIэ, и фIагъыр ибзыщIыну хуейтэкъыми, хьэщIэр зытес шым нэхърэ ар зэрымынэхъыкIэр Мэжид жиIащ. Абдежым баз щызэпихьэм, къызэдагъэжэну траухуащ. ШитIым щIалэщIэ зырыз ягъэшэсри къыщIагъэпхъуащ. Тэнащым и шыр япэ къэсащ, куэд дэкIа нэужьщ хьэщIэм и шыр абы къыщылъэщIыхьар. Япэу къэса шыр абы щыгъуэм къэзыгъэжар Тимборэти, Мэжид абы Iэ дилъэри, «УлIщ, афэрымыпщIэу шыри узот», – жиIэри шыр иритауэ щытащ. Анэшхэмрэ пхъурылъхухэмрэ щызэрыгъуэтыжар хамэщIырщ. Ауэ сыт хуэдиз гугъуехь ягъэвами, я хэку къызэрихьэжынум гугъэр хамыхыу псэуащ, ар икIи къайхъулIащ. «Вгъэзэж, мыбы фыщымылIэ», – арат Мэжид и уэсятыр. Нобэ Тэнащхи Шурдымхи, абыхэм я лъхужхэри лъэ быдэкIэ гъащIэм хэтщ, я адэжьхэм я щIыхьыр зэрахъумэным, адыгагъэр я щапхъэу зэрыпсэуным хущIэкъуу. Сурэтхэм ущеплъкIэ, сыту дахэ е сыту хьэлэмэт жыпIэу зэпыбоплъыхь. Итхэм я нэгухэм ущиплъэкIи, гур Iэджэ блэкIа къэхъукъащIэхэм мажэ. Абыхэм ялъэгъуа псори пщIэнкIи нэсу къэпIуэтэжыфынкIи Iэмал иIэкъым, ауэ я хъыбархэр зэхэзыхыжауэ, нобэ нэхъыжькIэ зэджэхэм я нэпсыкIэр ялъэгъуащи, зэрылъапIэ дыдэм шэч къытрамыхьэу зэрахьэ. ЩымыIэж цIыхухэм я гугъу пщIыху псэущ, жаIэ. Аращ фэеплъ хъужыр, аращ цIыхур уахътыншэ зыщIыр. Жьыбгъэм ихьыжами, зэрыхуа архъуанэр бынымкIэ мэдэхащIэ. ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100526.txt" }
ЩIэныгъэ зрагъэгъуэтауэ къагъэзэж 2019 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием псапащIэ егъэджэныгъэ программэр иублэри, зэпеуэкIэ къыхаха щIалэрэ пщащэу 26-рэ хамэ къэрал еджапIэ нэхъыфIхэм я щIэныгъэр щыхагъэхъуэну ягъэкIуауэ щытащ. ИлъэситIкIэ еджа ди лъэпкъэгъухэм иджы къагъэзэж, я къэухьым зиужьарэ лэжьыгъэм и пIалъэ зрагъэщIауэ. Зи гугъу тщIы проектыр къыхэзылъхьар хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ, ЩIДАА-м и Президентым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къанокъуэ Арсенщ. Пандемием ирихьэлIами, гугъуехь куэд дунейм къыщыхъуами, Уэршыкъуэ Альберт-рэ Тхьэмокъуэ Iэминэрэ — Инджылызым, Пщынокъуэ Дианэ — Нидерландхэм, Батыр Мухьэмэдрэ Жынэ Сэтэнейрэ — Швейцарием, Хьэмыз Залым — Франджым, Тау Анзор — Бельгием, Гуэщокъуэ Марианнэ Испанием кIуэфахэт, къапэщылъа къалэнхэми хъарзы-нэу пэлъэщауэ иджы къагъэзэж. ЕджакIуэ кIуахэм жэуаплыныгъэ ин яхэлъу Iуэхум яужь итащ, гъэщIэгъуэн куэди ялъагъуну хунэсащ. Ахэр инстаграмым щаIэ напэкIуэцIхэм къыщаIуатэ. Къанокъуэ Арсен Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэу щыщытам цIыху 300-м нэблагъэ хамэ къэралхэм щригъэджауэ щытащ икIи илъэгъуащ абы къыпэкIуа сэбэпынагъыр. Иджы ЩIДАА-м и нэIэ щIэту илъэсым цIыху 50 хуэдиз игъэкIуэну зэримурадыр жеIэ: — Япэ зэпеуэм къыхыхьэу зи зэфIэкI зыгъэлъэгъуа адыгэ ныбжьыщIэхэм фIыщIэ яхузощI. Сэ хьэкъ сщыхъуащ: апхуэдиз зэфIэкI, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ интеллигент щIалэгъуалэ дыщиIэкIэ, адыгэм къэкIуэн дахэ къыпоплъэ. Дэ абыкIэ дэIэпыкъуэгъу дыхъун хуейщ, IуэхуфIхэр дгъэбагъуэрэ, жэрдэм зиIэхэмрэ жыджэрхэмрэ защIэдгъакъуэу. ПщIэ щIэтту еджакIуэ дгъакIуэхэм къалэн гугъу яхуэдгъэувыркъым. ЕджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфI дыдэхэр къауха нэужь, ахэр дэни щылажьэну хуитщ, ауэ я бзэр, я хабзэр зыщагъэгъупщэ хъунукъым. Дэнэ щыпсэуми, щылажьэми, я хэкужь къагъэзэжынущ абыхэм, я лъэпкъым хуэщхьэпэнущ. Дэ аращ зытетщIыхьыр. ПсынщIащэу зызыхъуэж мы дунейм ди лъэпкъыр декIуу дэбакъуэмэ, ди насыпщ. ЩIалэхэмрэ пщащэхэмрэ здэщыIа къэралхэр къазэрыщыхъуам, зэрырагъэджа щIыкIэм, къадеджахэр зыхуэдэм, я мурадхэмрэ Урысейм къащыпэплъэмрэ тедгъэпсэлъыхьу ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм къытеддзэнущ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100530.txt" }
Тхыдэ куу зиIэ ШыщхьэуIум и 22-м Урысей Федерацэм и къэрал ныпым и махуэр ягъэлъапIэ. Урысей бэракъым и тхыдэр жыжьэ, илъэс 310-кIэ узэIэбэкIыжмэ, къыщожьэ. 1705 гъэм щIышылэм и 20-м Пётр Езанэм унафэ ищIауэ щытащ сату Iуэхум епха кхъухьхэм хужь-щIыху-плъыжьыфэ ныпыр щаIэтыну. Абы езым ныпым и теплъэр зыхуэдэнур тхылъымпIэм щритхъат, плъыфэхэр зэрызэкIэлъыкIуэнури гъэнэхуауэ. Урысей ныпыр XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ флотым ейуэ къэгъуэгурыкIуащ. 1991 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэкIэ ар Урысей Федерацэм и бэракъ нэхъыщхьэу къалъытащ. Абы ипэкIэ, зэрытщIэщи, Совет Урысейм къигъэсэбэпу щытар гъубжэрэ уадэрэ зытет чэтэн плъыжьыфэрт. Махуэшхуэм бэракъыр къаIэт УФ-м и гимныр къеуэу. Къэрал IэнатIэ Iутхэм я гуащIэм пэкIуэу дамыгъэхэр хуагъэфащэ. Апхуэдэуи, а махуэм Урысейм и щIыналъэ псоми пшыхьхэр, спорт зэхыхьэхэр, флешмобхэр, мастер-классхэр щрагъэкIуэкI, къэрал дамыгъэм и мыхьэ-нэр кърагъэлъагъуэу. Ныпым и махуэм рекордхэр щагъэув щыIэщ. Псалъэм папщIэ, 2011 гъэм Шэшэным Урысейм щынэхъ ин дыдэ бэракъыр къыщаIэтащ. Ар Ойсхарэрэ Центаройрэ я зэхуакум хуэзэу, метр 300 и лъагагъыу фIадзауэ щытащ. Ныпым метр зэбгъузэнатIи 150-рэ къызэщIиубыдэрт. 2014 гъэм шыщхьэуIум и 22-м Омск къалэри къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ автомашинэ 225-р я плъыфэкIэ зэрызэкIэлъыкIуэн хуейм хуэдэу ягъэуву бэракъым и теплъэр къызэрагъэлъэгъуамкIэ. БАГЪЭТЫР Луизэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100532.txt" }
Махуэшхуэхэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэм теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэм шыщхьэуIум и 18-м иригъэкIуэкIащ «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр. ЗэIущIэм щызэхалъхьэжащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэн и лъэныкъуэкIэ зэкIэ зрагъэхъулIахэр, цIыхухэм вакцинэр яхэлъхьэным теухуа лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр, апхуэдэуи тепсэлъыхьащ гъэ еджэгъуэщIэмрэ фокIадэм и пэщIэдзэм хабзэ хъуауэ ягъэлъапIэ махуэшхуэхэмрэ зэрызыхуагъэхьэзырхэм. Мусуков Алий зэIущIэм хэтхэр щыгъуазэ ищIащ щIыналъэхэм унэтIыныгъитIымкIэ — «Ущыпсэуну тынш щIыпIэ», «Сабийхэм заужьын папщIэ псоми зэхуэдэ Iэмалхэр яIэн» жыхуиIэхэмкIэ — лэжьыгъэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу зэрыщызэфIэкIар. Зэрыщыту къапщтэмэ, лъэпкъ проектхэм щыубзыхуахэр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэну мылъкум щыщу процент 53-м щIигъур ахэр зыхухахэм къыхуагъэсэбэпакIэщ икIи ар Урысейм и адрей щIыналъэхэм яхузэфIэкIа бжыгъэхэм щIегъу. Мусуковым администрацэхэм я Iэтащхьэхэм гу лъаригъэтащ ухуэныгъэ зыбжанэм ехьэлIауэ зэфIагъэкIыпхъэ Iуэхухэм, апхуэдэуи къэралым ис цIыхухэр бжыным теухуауэ къапэщыт лэжьыгъэм зыхуэгъэхьэзырын зэрыхуейм. Премьер-министрым республикэм и Iэтащхьэр щыгъуазэ ищIащ курыт школыщIэхэу Солдатскэ станицэмрэ Ново-Ивановскэ къуажэмрэ щаухуахэр къызэрызэIуахыным хуэдэу хьэзыр зэрыхъуам, ахэр муниципалитетхэм я мылъкум зэрыхагъэхьэнум, Дзэлыкъуэкъуажэ дэт курыт еджапIэр зэгъэпэщыжынымрэ Бахъсэн щаухуэ ФОК-мрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэри и кIэм зэрынагъэблэгъам. Муниципальнэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм къалэну хуагъэуващ вакцинэр цIыхухэм Iэмалыншэу яхэлъхьэным хуэгъэза лэжьыгъэр я щIыналъэхэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэм щыщIагъэхуэбжьэну, «Роспотребнадзор»-м фокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къэпщытэныгъэхэр зэрыригъэкIуэкIынури къалъытэну. А Iуэхур нэхъыфIу щекIуэкIхэм я щапхъэу къахьащ Дзэлыкъуэ муниципальнэ щIыналъэр. Абы мастэр зыхалъхьахэм я бжыгъэр процент 58,6-рэ щохъу. Узыфэм щызыхъумэ мастэр цIыхухэм яхэлъхьэнымкIэ лэжьыгъэфI щекIуэкIхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэмрэ Прохладнэ къалэ округымри. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ЩIэныгъэхэм я махуэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмрэ Урысей ныпым и махуэмрэ ехьэлIа дауэдапщэхэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэми. Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къыхигъэщащ махуэшхуэхэр онлайн жыпхъэм иту е цIыху 50 нэхърэ нэхъыбэ зэхэмыхьэу, утыку зэIухахэм щызэхуэсу зэрырагъэкIуэкIынур. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщу Къуэдзокъуэ Мухьэмэд жиIащ Урысей ныпым и махуэм ехьэлIахэр: Урысей Федерацэм и къэралыгъуэм и дамыгъэр Iуащхьэмахуэ и щыгум дахынущ. А Iуэхур ирагъэкIуэкIынущ МЧС-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм, Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэр и щIэгъэкъуэну. Урысейм и къэрал ныпхэм а махуэм ягъэдэхэнущ муниципалитетхэм я уэрамхэмрэ цIыху зэхуэсыпIэхэмрэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100534.txt" }
Жылэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа гугъуехьхэр КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Кыщпэк псы къыщIэшыпIэм. Абы щIыгъуащ ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министр Бэрбэч Алим, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, «Водоканал» IуэхущIапIэм и унафэщI Жанкъазий Анзор. «Кыщпэк» псы къыщIэшыпIэрщ Налшык и Iыхьэ щанэмрэ абы къедза жылэхэмрэ щыпсэухэм къагъэсэбэп псыр мы зэманым къэзытыр. Абдеж щытепсэлъыхьащ абы и лэжьыгъэр адэкIи зэтеухуауэ иригъэкIуэкIыным пыщIа Iуэхухэм, республикэм и къалащхьэм дэсхэр зэфэну псыкIэ ирикъуу къызэгъэпэща хъун папщIэ ар зыхуэныкъуэ зэхъуэкIыныгъэхэм. Республикэм и жылэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным хэлъ гугъуехь нэхъыщхьэр зыпыщIар бжьамийхэр жьы зэрыхъуарщ. «Псы къабзэ» щIыналъэ проектым хыхьэу 2021 гъэм я мурадщ псы къыщIэшыпIэ 19 яухуэну е зэрагъэпэщыжыну. Абыхэм сом мелуани 130-рэ хуэдиз текIуэдэнущ. Илъэс кIуам а проектым ипкъ иткIэ ящIащ псы къыщIэшыпIэ 32-рэ, абыхэм бжьамийхэр укъуэдиинри, псы къыщIэшыпIэхэр убруунри, псыр къыдэзышей Iэмэпсымэхэр абыхэм тегъэувэнри яхэту.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100536.txt" }
Спортым, щэнхабзэм республикэм зыщегъэужьыным йогугъу Иджырей пятиборьем зыщыхуагъасэ спорт IуэхущIапIэм и ухуэныгъэр зэрекIуэкIыр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ. Абы хухаха щIыпIэм лэжьакIуэхэм щIыр ухуэныгъэм щыхуагъэхьэзыр, инженер коммуникацэхэр далъхьэ. Комплексыр ящI «Демографие» лъэпкъ проектым и «Спортыр ди псэукIэм и мардэщ» къэрал проектым хыхьэу. Ухуэныгъэм сом мелуан 270-рэ хухахащ, ар 2022 гъэм и дыгъэгъазэм яухыну я мурадщ. Комплексым хэтынущ метр 42-рэ зи кIыхьагъыну, метр 24-рэ зи бгъуагъыну залышхуэ, езым и лъагагъынущ метрий нэхърэ мынэхъ мащIэ. Абы къикIыращи, унэм спорт лIэужьыгъуэ куэдми зыщыхуагъэсэфынущ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэри щрагъэкIуэкIыфынущ. Проектым апхуэдэуи хэтщ Iыхьийуэ гуэша, метр тхущI зи кIыхьагъыну псыгуэн, иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэща тренажёр зал, спорт нэщанэуапIэ, комплексым екIуалIэхэм зыщагъэпскIыжыну, зытIэщIыпIэ-зыхуэпапIэ, нэгъуэщI пэшхэри. Мыбы щаухуэнущ зи гъунэхэм къэжыхьыпIэхэр иIэну футбол джэгупIи. Абы зэIущIэхэм еплъыну къакIуэхэр зэрысыну трибунэхэри хэтынущ. Республикэм и Iэтащхьэм апхуэдэуи зыщиплъыхьащ Ашуровым и цIэр зезыхьэ уэрамым щащIыну щэнхабзэ центрыр зыхуэзэну щIыпIэми. Ари 2022 гъэм къриубыдэу яухын хуейщ. Центрыр щIыным трагъэкIуэдэн папщIэ республикэм «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу къэрал бюджетым щыщу къыхуаутIыпщащ сом мелуани 197-м щIигъу. Щэнхабзэ центрыщIэм хэтынущ цIыху 200 зэуэ зыщIэхуэну пэшышхуэр, къыщыфэ, цIыхухэм я Iэпкълъэпкъым зыщрагъэшэщI, артистхэм къагъэсэбэп хьэпшыпхэр, я фэилъхьэгъуэхэр зыщIэлъынухэр, нэгъуэщI пэшхэри, класс хэхахэр щылэжьэнухэри, щыгъын фIэдзапIэхэри. А унэр и архитектурэкIи къащхьэщокI республикэм и адрей ухуэныгъэхэм — абы удз гъэгъа теплъэ иIэу ящIынущ. «ЦентрыщIэм сабийхэмрэ щIалэгъуалэм-рэ Iэмал псори щаIэнущ я творческэ зэчийхэр къызыкъуахынымкIэ, унэтIыныгъэ куэдкIи заужьынымкIэ», — къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. Iэтащхьэм ухуэныгъэр езыгъэкIуэкIхэм пщэрылъ ящищIащ унэщIэхэм екIуалIэ гъуэгухэр тэмэму ящIыну икIи абыхэм къедза щIыпIэхэри зэIузэпэщу щытынми егупсысыну. «Дэ нобэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэр едгъэкIуэкIым и закъуэкъым, атIэ абыхэм я хъуреягъхэри догъэдахэ, къалэр зэрыщыту зэIузэпэщ дощI», — къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек. КъимыдэкIэ, «Шынагъуэншэ икIи фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ дызэрыт илъэсым зи гугъу ящIа уэрамхэм я гъуэгухэр, лъэс зекIуапIэхэр зэрагъэпэщыжынущ, гъуэгу Iуфэхэр къагъэнэхунущ, абыхэм щхъуантIагъэхэр щыхасэнущ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100538.txt" }
Дунейпсо мардэхэм къизагъэ цIыху минхэм я зэблэкIыпIэ Налшык къыщызэIуахащ илъэс зыбжанэ хъуауэ ягъэхьэзыр «Ищхъэрэ» автовокзалыр. И теплъэкIи, IэхуитлъэхуитагъкIи, шынагъуэншагъэкIи, хуащIэну IуэхутхьэбзэхэмкIи ар дунейпсо мардэхэм къозагъэ. Мыбырэ «Ипщэ» автовокзалымрэ яухуащ «Развитие внутреннего и въездного туризма» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ. Ар хьэзыр зэрыхъурэ зэманыфI дэкIами, я къызэIухыныр мызэ-мытIэу ягъэIэпхъуащ абы пыщIа Iуэху псори ягъэтэмэмын, цIыхухэм гугъуехь лей къахуимышэу яутIыпщын папщIэ. ЗэкIэ абы нэхъ хуэхьэзыру къалъытащ Щхьэлыкъуэ дэлъэдапIэм и деж щаухуа «Ищхъэрэ» автовокзалыр. КъызэIуахыным махуэ зыбжанэ иIэжу я хэщIапIэщIэ хъунур зрагъэцIыхуащ цIыхухэр къезышэкIыну IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ къалэ, жылэзэхуаку маршрутхэм тетыну автобусхэмрэ таксихэмрэ зезыгъакIуэхэм. Абыхэм вокзалыщIэр хуабжьу ягу ирохь, ауэ, дэтхэнэ зы IуэхущIэми хуэдэу, хуэсакъыу бгъэдохьэ. Пэжщ, дапхуэдизу дахэми Iэхуитлъэхуитми, ар щыщIэныгъэншэкъым. Гугъущ цIыхур илъэс куэд хъуауэ зытет гъуэгуанэм къытепшыну. Хэти къохьэлъэкI щIыпIэщIэм зэрыщрагъэкIынумрэ зэрыщитIысхьэнумрэ, абы икIыжу нэгъуэщI лъэныкъуэхэм зэрыкIуэнур. АрщхьэкIэ цIыхур сытми йосэж. АвтовокзалыщIэми есэжынущ. Армырауи хъунукъым: цIыхухэм я тыншыгъуэр къызэрагъэпэщын папщIэ вокзалыщIэм екIуалIэу ирапхащ къалэ автобус маршрутхэу №№1, 7, 18, 21, 24, 33-хэр. Щхьэзакъуэ автомашинэкIэ «Ищхъэрэм» къакIуэхэм папщIэ къэувыIэпIэ тыншхэр яухуащ. Автовокзалым щыщIыхьэкIэ пассажирхэр блокI шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща зэ-рыхъу гъущIхэкIыр нахуэ зыщI Iэмэпсымэм. НэгъуэщI Iэмалу маршрутым щыпэплъэ пэш хуитышхуэм ущIыхьэфынукъым. Апхуэдэу, гурыщхъуэ къытумыхьэми хъунущ автобус къэувыIэпIэм хабзэм къемызэгъ Iэмэпсымэ цIыхухэм зэрытрамыхьэнумкIэ. Маршрутым щыпэплъэ щIыпIэр къызэгъэпэщащ иджырей мардэм къигъэув тыншыгъуэхэмкIэ. ШхапIэр щыIэщ, ауэ сытми зыщыбгъэпсэхуми хъунущ. Пассажирыр зыхуей-зыхуэфI-хэр щигъуэтыным псори хуэунэтIащ: анэмрэ сабиймрэ я пэш щхьэхуэ, медицинэ пэшхэр къыщызэIуахащ. Зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм папщIэ вокзалыр къызэгъэпэщащ лифткIэ, пандус щхьэхуэкIэ. «Ищхъэрэ» автовокзалым къытекIыу транспортыр Дзэлыкъуэ, Прохладнэ, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ, Шэджэм районхэм макIуэ — псори зэхэту унэтIыныгъэ 42-мкIэ зэбгрокI. Зэуэ абы къытехьэфынущ автотранспорт 500-м нэблагъэ. Аруан лъэныкъуэкIэ къикIхэр къыщыувыIэну «Ипщэ» автовокзалри хьэзырщ. АрщхьэкIэ абы къызэрекIуэлIэну, зэрытекIыжыну щIыкIэхэр иджыри нэсу зэрамыубзыхуам къыхэкIыу, и къызэIухыныр зэкIэ ягъэгувэ. Тхыгъэри сурэтхэри ЖЫЛАСЭ Замир ейщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100540.txt" }
ДжэгукIэм хуэфащэ бжыгъэ «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 1:0 (1:0). Новокубанск. «Биолог» стадион. ШыщхьэуIум и 18-м. ЦIыху 200 еплъащ. Судьяхэр: Капленков (Мэзкуу), Магомедов (Мэхъэчкъалэ), Новиков (Дон Iус Ростов). «Биолог-Новокубанск»: Суворов, Каргин, Гончаров, Селеменев, Степанович (Карягин, 80), Васенин (Соболь, 46), Марченкэ (к), Салахетдинов, Вебер (Мосиян, 70), Борисов А., Циберкин. «Спартак-Налшык»: Антипов, Сындыку, КIэдыкIуей (Дэхъу, 53), Ольмезов, Шумахуэ И., Мэкъуауэ, Шумахуэ З., Багъэтыр (Бажэ, 71), Бенедык (Бахъсэнокъуэ, 66), Къумыкъу И. (Торосян, 61), Ашуев (Черткоев, 53). Топыр дигъэкIащ Селеменевым, 40 (1:0). Дагъуэ къыхуащIащ: Багъэтырым, Салехетдиновым, Къумыкъу И., Соболь, Вебер. Джэгум къыхахуащ Мэкъуауэр. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2021-2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу Новокубанск и щIыпIэ «Биолог-Новокубанск»-м шыщхьэуIум и 18-м иригъэблэгъащ «Спартак-Налшыкыр». Турнир таблицэм и зэкIэлъхьэужьу (епщIанэ, епщыкIузанэ) къыщыкIуэ командэхэм текIуэныгъэ зырыз фIэкIа ямы-Iэу иджырей зэIущIэм къэсат. Япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ дэтхэнэ зы лъэныкъуэри щтэIэщтаблэт, щыуагъэ зэрызэIэщIамыгъэкIыным нэхъ хущIэкъут. ЕбгъэрыкIуэныгъэхэр гъуащхьэхъумэныкъуэхэм адэкIэ фIэкIыфыртэкъым зэманым и нэхъыбэр футболистхэм щагъакIуэр джэгупIэ губгъуэм и курт. Апхуэдэу удэзыхьэх джэгукIэ къамыгъэлъагъуэурэ зэIущIэм и япэ Iыхьэр и кIэм нэблэгъащ. Хэгъэрейхэм я гъуащхьэтетым къыхитэу ебгъэрыкIуэныгъэр къыщIэзыдза «Биолог-Новокубанск»-м и гъуащхьауэхэр къыщагъэувыIэм ди щIалэхэм топыр угловойм ягъэкIуащ. Абы бгъэдыхьа Селеменовыр занщIэу топым гъуэм и лъэныкъуэмкIэ еуакъым, атIэ къыпэщытым хуигъэжащ. Иужьрейм къритыжа топым Иван гъуэмкIэ иригъэунэтIащ икIи бжыгъэр къызэIуихри и командэр япэ иригъэщащ. Топым къригъэгъэзэну IэмалыфI дыдэ зиIа Антиповыр зымащIэкIэ абы лъэIэсакъым — 1:0. ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэр япэм къызэрыщхьэщыкI щыIэтэкъым — гупхэр хуэмт, ебгъэрыкIуэн Iуэху зэрахуэртэкъым. КIэух бжыгъэр яхъумэфмэ, абы арэзы къищI хэгъэрейхэр я лъэныкъуэмкIэ зыщагъэбыдэжауэ ди щIалэхэр гъунэгъуу я гъуэм ирагъэкIуалIэртэкъым. ЗэпэщIэтыныгъэр иухыным дакъикъэ зыбжанэ фIэкIа къэмынэжауэ, хабзэр къызэпызыуда Мэкъуауэр судьям джэгум къыхихуащ. «Спартак-Налшыкыр» нэхъ мащIэ зэрыхъуар къагъэсэбэпыну хэгъэрейхэр Iэмал ямыухуэурэ зэIущIэр и кIэм нэблэгъащ. КъызэрыхагъэщIам и зэранкIэ ди щIалэхэр зы увыпIэкIэ турнир таблицэм къыщекIуэтэхащ. Абы бжьыпэр зэрыщиIыгъщ Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м. Новороссийск щыIэу «Черноморец»-р къащытекIуами, Дагъыстэным и футболистхэм я пашэныгъэр зыми IэщIихыфакъым. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, хэгъэрейхэм я дежкIэ мы зэхьэзэхуэм ар щыяпэ ехъулIэныгъэщ, хэщIэхэм я щыпэ къыхэгъэщIэныгъэщ. ДигъэгуфIащ ди къуэш Адыгейм и «Дружба»-ми. Ставрополь щыIэу ар япэу текIуащ, плIэнейрэ зэкIэлъхьэужьу пэщIэдзэ зэIущIэхэм къыщыхагъэщIа иужькIэ. Абы и фIыгъэкIэ мей- къуапэдэсхэм кIэух дыдэ увы-пIэр ябгынащ. Иджы щыгъуазэ фыхуэт-щIынщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и зи чэзу джэгугъуэм къри- кIуа бжыгъэхэм: «Легион-Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — 2:2, «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) — «Чайка» (Песчанокопскэ) — 1:9, «ТIуапсы» (ТIуапсы) — «Кубань-Холдинг» (Павловск) — 0:0, СКА (Дон Iус Ростов) — «Алания-2» (Владикавказ) — 5:0, «Ротор-2» (Волгоград) — «Форте» (Таганрог) — 1:2, «Динамо» (Ставрополь) — «Дружба» (Мейкъуапэ) — 1:2, «Черноморец» (Новороссийск) — «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) — 2:0. КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» шыщхьэуIум и 29-м иригъэкIуэкIынущ. Ди щIалэхэм Налшык къыщрагъэблэгъэнущ Мэхъэчкъалэ и «Легион-Динамо»-р. Жыласэ Замир.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100544.txt" }
ЕхъулIэныгъэщIэхэр зи плъапIэ Республикэм щыщ щIалэгъуалэ куэд къэралым и къалэшхуэхэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъагъуэу щолажьэ. Абыхэм я хъыбарыфIхэр къыщалъхуа щIыналъэм щIэх-щIэхыурэ къосыж икIи хамэ щIыпIэ зи зэфIэкIыр къыщалъытэ уи лъахэгъум и цIэр фIыкIэ жаIэу щызэхэпхкIэ, шэч хэмылъу, гушхуэныгъэ къыпхелъхьэ. КъызыхэкIа лъэпкъми къыщыхъуа щIыналъэми я пщIэр лъагэу зыIэт щIалэщ гу дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Къэнэмэт Теймураз Нартщауэ и къуэр. Зыпэрыхьа Iуэхур нэгъэсауэ зыфIэзыгъэкI щIалэм, ныбжьышхуэ имыIэми, и IэнатIэм ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьащ, щытхъушхуэ хужаIэуи къокIуэкI. Шэджэм къалэм дэт курыт школ №2-р къиухри, Къэнэмэтыр щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ-рал университетым медицинэмкIэ и къудамэм. ФIы дыдэу ехъулIэу еджа щIалэм адэкIэ и щIэныгъэм щыпищащ Сеченовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт Япэ къэрал медицинэ университетым и интернатурэм, абы къыкIэлъыкIуащ Бакулевым и цIэр зезыхьэ Гу-лъынтхуэ хирургиемкIэ лъэпкъ медицинэ-къэхутакIуэ центрым и ординатурэмрэ аспирантурэмрэ. Илъэсибгъу хъуауэ Теймураз а центрым щыIэщ, апхуэдэуи Урысейм и кардиохирург нэхъыщхьэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием и академик, профессор цIэрыIуэ Бокерие Лео и гупым хэту мэлажьэ. Дэзыхьэха Iуэхум езэш имыIэу пэрытщ Теймураз, ар сытым дежи хущIокъу и Iэзагъэм, зэфIэкIым зэрыхигъэхъуэным. Абы жыджэру зыхегъэгъуазэ медицинэм щIэуэ къыхы-хьэ Iэмалхэм. — ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэм уащыдэлажьэм деж абыхэм уазэрыхуэфэщэным ухущIокъу, — жеIэ Къэнэмэт Теймураз. — Сызыхэт гупым я нэхъыбэр дохутыру зэрылажьэм къищынэмыщIауэ, медицинэ щIэныгъэм зи гуащIэ хэзылъхьа, нобэ цIыхухэм зэреIэзэ Iэмал куэдым зи къэхутэныгъэхэр лъабжьэ хуэхъуа щIэныгъэлI лъэрызехьэхэщ. Сэ си насып кърихьэкIащ хамэ къэралхэми фIыуэ къыщащIэ кардиохирург цIэрыIуэ, «Дуней псом и хирург нэхъы- фIи 100»-м хыхьэу къагъэлъэгъуахэм зи цIэр хэхуа Бокерие Лео (Урысейм и дохутырхэм ящыщу абы и закъуэщ хэтыр) и нэIэм сыщIэту сылэжьэну. А цIыху щэджащэм и гупым ухэтыныр, и IуэхущIафэм укIэлъыплъыныр лэжьыгъэ и пIалъэ къэпщIэнымкIэ уасэншэщ. Апхуэдэ цIыхухэр гъуазэ пхуэмыхъууи къанэркъым. Сэ къызгурыIуащ дохутыр къудей мыхъуу, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIи си къэухьым хэзгъэхъуэну сызэрыхуейр икIи си мурадщ а унэтIыныгъэм и зыужьыныгъэм си гуащIэ хэслъхьэну, медицинэр ипэкIэ кIуэта хъунымкIэ зэрысхузэфIэкIкIэ дэIэпыкъуэгъу сыхъуну. Нобэ ирихьэлIэу Къэнэмэтым хузэфIэкIари мащIэкъым. ЩIалэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 30-м щIигъу, яхэтщ абыхэм медицинэм теухуа дунейпсо журналхэм къытехуахэри. Апхуэдэу США-м, Испанием, Франджым щекIуэкIа медицинэ зэхыхьэхэм и Iуэху еплъы-кIэр къигъэлъагъуэу жыджэру къыщыпсэлъащ. 2019 гъэм Урысейм и гу дохутырхэм я зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIа, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм «Зыми хуэмыдэ къэхутэны-гъэ нэхъыфI» унэтIыныгъэмкIэ Теймураз текIуэныгъэр къыщихьащ. Хабзэ хъуауэ, Бакулевым и цIэр зезыхьэ, Гу-лъынтхуэ хирургиемкIэ лъэпкъ медицинэ къэхутакIуэ центрым и IэщIагъэлIхэр Урысейм и щIыналъэхэм кIуэурэ сымаджэм я узыншагъэр къапщытэ, чэнджэщхэр ират. Дэ дызэрыщыгъуазэмкIэ, а Iуэху щхьэпэм и жэрдэмщIакIуэри и къызэгъэпэщакIуэри Къэнэмэт Теймуразщ. Апхуэдэ «зекIуэхэм» я фIыгъэкIэ илъэс къэс сымаджэ 1000-м щIигъум я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэж. Ди хэкуэгъу щIалэр волонтёр Iуэхухэми, жылагъуэ гъащIэми жыджэру хэтщ. Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым медицинэ Iуэхухэм нахуэу щытопсэлъыхь, «эфир занщIэ-хэр» щрегъэкIуэкI, упщIэкIэ зыкъыхуэзыгъазэ дэтхэнэми абдеж жэуап щагъуэт. Узыншагъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ «Дохутырым и гъусэу къэкIухьын» зэщIэхъееныгъэм и къызэгъэпэщакIуэри Теймуразщ, абы езы щIалэри щIэх-щIэхыурэ хэтщ, и чэнджэщхэр цIыхухэм ярихьэлIэу. — ЦIыхум и узыншагъэр зыхуэдэнур и нэхъыбапIэкIэ зэлъытыжар езы- ращ, — жеIэ Къэнэмэтым. — Гу узыфэ-хэр иджырей кардиологиер, къапщтэмэ, зэрыщыту медицинэр зыIууэ гугъуехь нэхъ хьэлъэхэм ящыщщ. Урысейм илъэс къэс цIыху мин 700-м щIигъу гу узыфэхэм щолIыкI. Абы къыхэкIыу дэтхэнэри хущIэкъун хуейщ щIэх-щIэхыурэ и узыншагъэр къызэрипщытэным. И чэзум къэпхута узыр гъэхъужыгъуафIэщ. Спортми щыхуэмыхукъым Къэнэ-мэт Теймураз. Ар дехьэх боксым. КъищынэмыщIауэ, Iуащхьэмахуэ и щыгум дэкIыныр мураду зыхуигъэувыжри, 2020 гъэм и шыщхьэуIу ма- зэм бгым и къухьэпIэ лъагапIэм нэсащ, а илъэс дыдэм Гуэл щхъуантIэм и лъащIэми ехащ. Ерыщу и мурадым хуэкIуэ цIыхум, гува-щIэхами, ехъулIэныгъэ зэриIэнур щынэрылъагъущ Теймураз деж. ЩIалэм и гъуэгуанэ щIэдзапIэр дахэщ, нэхъыбэж зэрызригъэхъулIэфынум ухуагъаплъэу. Шэчыншэщ Къэнэмэт Теймураз и цIэр фIыкIэ дэ иджыри куэдрэ зэрызэхэтхынур. ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100547.txt" }
Урысейм и тхьэIухуд ЛIыхъусэжь Зарэ Иджыблагъэ Москва къалэ щекIуэкIа «Урысейм и Бзылъхугъэ-2021» тхьэIухуд зэпеуэм япэ вице-мисс щыхъуащ Адыгейм щыщ ЛIыхъусэжь Зарэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, а зэпеуэр унагъуэ ис цIыхубзхэм я деж илъэс куэд щIауэ щрагъэкIуэкI. Зарэ жеIэ зэпеуэм хыхьэну куэдрэ темыгушхуами, зэрыхущIемыгъуэжар, а Iуэхугъуэм и фIыгъэкIэ щIэ куэд къызэрищIам и мызакъуэу, къэралым и щIыпIэ куэдым щыщу абы хэтахэр ныбжьэгъу къызэрыхуэхъуар. ЛIыхъусэжь Зарэ и ныбжьыр илъэс 41-рэ мэхъу, быниплI иIэщ, и щхьэгъусэмрэ езымрэ «Hatti» хьэщIэщ иныр Мейкъуапэ щагъэлажьэ. Пэжыр жыпIэнумэ, къэралым и щIыналъэ псоми къикIа тхьэIухудхэм адыгэ цыхубзыр зы щхьэ-кIэ къахэщырт (е сэ къысщыхъурэт апхуэдэу). Ауэ Зарэ и утыку итыкIэм, зыIыгъыкIэм, и фащэ дахэхэм удамыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Абы Адыгейм, езым и унагъуэм теухуауэ ищIа видео кIэщIым куэд итхьэкъуат, уеблэмэ, къэпщытакIуэ гупым хэтхэм жаIащ еплъа иужькIэ, а щIыналъэ дахэм къэкIуэну мурад зэращIар. И утыку къихьэгъуэ къэс Зарэ гъэщIэгъуэн ищIыфырт, ауэ къыхэзмыгъэщын слъэкIынукъым Адыгэ ныпыр иIыгъыу къыщихьа Iыхьэр, адыгэ фащэ екIу дыдэ щыщыгъар. Абы фIыщIэ хуещI зэпеуэм зэрыхэта фащэр хуэзыда дэрбзэр Iэзэ Акъуш ФатIимэ, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым дыщэкI цIэрыIуэ Еутых Iэсият и IэдакъэщIэкIыу Зарэ зыкIэрилъхьахэми. Догушхуэ икIи дохъуэхъу ди лъэпкъэгъу пщащэм. КъызыхэкIа лъэп-къым, и унагъуэ дахэм я пщIэр иIэту, ехъулIэныгъэ и бэу псэуну ди гуапэщ. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100550.txt" }
ФильмыщIэм дыщеплъыну махуэр къоблагъэ Тхьэмахуэ блэкIам дунейм къытехьащ Налшык щыщ режиссёр Битокъу Владимир игъэува «Мамэ, сэ сыкъэкIуэжащ» фильмым и трейлерыр. Фильмхэм я дунейм щекIуэкIым хуэунэтIа «кинотеатр. ру» сайтым зэбгритыкIащ псори зыпэплъэ «Мамэ, сэ сыкъэкIуэжащ» фильмым и пычыгъуэр дунейм къызэрытехьа хъыбарыр. Налшык къалэщ фильмыр щытрахар. Зэрыщыту деплъыну зэкIэ Iэмал димыIэми, роль нэхъыщхьэр зыгъэзэщIа Раппопорт Ксениерэ Борисов Юрийрэ режиссёрым къигъэлъэгъуэну и мурада цIыху хьэлхэр къазэрехъулIар уи фIэщ ещI «гум зэпхидз пычыгъуэ» фIащыну зыхунэса трейлерым. Сирием щекIуэкI зауэм и къуэр хэкIуэдауэ жаIэ щхьэкIэ, фильмым щыджэгу Раппопорт Ксение зи роль игъэзащIэ Тоня гъуэгу тоувэри, щIалэр и унэ щилъагъужыху къэувыIэркъым. Нэхъ пасэу и гугъу тщIауэ щытащ Битокъум и фильмыщIэр режиссёр псори зыщIэхъуэпс, Венецием щекIуэкIыну 78-нэ кинофестивалым щызэпрагъэуэнухэм зэрыхагъэхьам. «Фильмыр япэ дыдэу Венецием щекIуэкIыну фестивалым зэрыщагъэлъэгъуэнум си гур егъэлеяуэ егъэпIейтей, — жиIащ а хъыбарыр зэрызэхихыу Битокъу Владимир. — Ауэ ар икIи гуфIэгъуэ зэфэзэщщ си дежкIэ. ГуфIэгъуэщ, сыту жыпIэмэ, я IэщIагъэм хуэIэзэ апхуэдиз цIыху дахэм я лэжьыгъэр пщIэшхуэ зиIэ фестивалым утыку къыщрахьэнущ. Сэри сахуэарэзыщ а фильмыр си гъусэу зыщIа псоми». Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100554.txt" }
Республикэм и тхыдэм епхащ КъБР-м и Къэрал лъэпкъ библиотекэм, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэм, къикIуа гъуэгуанэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ди республикэм и тхыдэм, абы щыпсэухэм я щэнхабзэм, еджэныгъэм, щIэныгъэм, зи цIэр лъэпкъ тхыдэм къыхэна къэрал, жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэшхуэхэм, тхакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэщIагъэлIхэм. Дапщэщи къызэрекIуэкIщи, библиотекэхэр сыт хуэдэ зэмани къызэзыгъэпэщу щытар лъэпкъ узэщIакIуэу, хэкупсэу, псапэ щIэнымкIэ гу къабзэрэ псэ хьэлэлу щыта цIыхухэращ. Апхуэдэущ къызэрыщекIуэкIар ди щIыналъэми. Дэфтэр хъумапIэхэм щIэлъ тхылъхэм къызэрыхэщыжымкIэ, ди щIыпIэм япэ библиотекэхэр къыщыунэхуар ХIХ лIэщIыгъуэращ. БлэкIа лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм абыхэм заужьащ икIи, Жэпуэгъуэ Революцэ Иныр къэхъуу ди щIыналъэм совет властыр щагъэува нэужь, а щэнхабзэ унэтIыныгъэм нэхъри зиужьу хуежьащ. Налшык жылэм 1920 — 1921 гъэхэм къыщызэIуахащ цIыхубэ библиотекэ зыбжанэ. Абыхэм цIыху куэд екIуалIэрт, ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ къызыхэкIамрэ емылъытауэ. ЦIыхубэм я гупсысэм зезыгъэузэщI, ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэзыгъахъуэ, я дуней еплъыкIэм зезыгъэужь апхуэдэ IуэхущIапIэхэм зэфIих лэжьыгъэхэмкIэ а зэманым къахэбелджылыкIырт 1921 гъэм и щIышылэм и кум Налшык къыщызэIуахауэ ЦIыхубэ библиотекэ нэхъыщхьэ №1-нэкIэ зэджэу щытар, нобэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ, КъБР-м и Къэрал лъэпкъ библиотекэр. Абы щыгъуэ библиотекэр щытащ цIыхубэм политикэ зэхэщIыкI егъэгъуэтынымкIэ тегъэщIапIэ лъэщу, щIэныгъэншагъэр гъэкIуэдыным и джэлэс нэхъыщхьэу, бгырыс лъэпкъ мащIэхэм урысыбзэр зрагъэщIэнымкIэ сэбэпышхуэ хъу IэнатIэу. Апхуэдэу библиотекэм и лэжьакIуэ-узэщIакIуэхэр, хэкупсэ нэсхэр, хущIэкъурт ди щIыналъэм щыпсэухэр абы и тхыдэм щыгъуазэ хуэщIыным. БлэкIа илъэси 100-м къриубыдэу лъэпкъ библиотекэм мызэ-мытIэу ихъуэжащ и фIэщыгъэр. Лъэпкъ библиотекэм зиужьынымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ хъуауэ щытащ Крупская Надеждэ. Ар къалъытэри, 1937 гъэм а IуэхущIапIэм фIащащ Крупскэм и цIэр. КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм ищIа унафэм ипкъ иткIэ, 1992 гъэм библиотекэм и фIэщыгъэр ихъуэжащ. Ар хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал лъэпкъ библиотекэ. Абы щызэфIах лэжьыгъэ псоми я нэхъыщхьэ хъуащ КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр хъумэныр, ар егъэфIэкIуэныр. 2007 гъэм библиотекэм и цIэр аргуэру яхъуэжащ. КъБР-м и Президентым къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, абы фIащащ къызэралъхурэ илъэс 90 абы щыгъуэ ирикъуауэ щыта къэрал, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Мэлбахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэм, ди республикэм и зыужьыныгъэм, абы и къэралыгъуэр зэфIэувэным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа цIыху щэджащэм и цIэр. Библиотекэм и япэ унафэщIу щытащ а лъэхъэнэм абы щекIуэкIа лэжьыгъэ псоми зи гуащIэшхуэ хэлъа Ларинэ Аннэ Григорий и пхъур. ПщIэ хуащIу, ар хахауэ щытащ РСФСР-м и Библиотекэ лэжьакIуэхэм я езанэ съездым и делегату. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм къриубыдэу библиотекэр хъуащ ди республикэм и тхылъ хъумапIэ нэхъ ин дыдэ, апхуэдэуи методикэ икIи библиографие центр нэхъыщхьэ. Библиотекэм и IэщIагъэлIхэм гулъытэшхуэ хуащIу хуежьащ къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, ди республикэ дахэм щыпсэу лъэпкъ псоми яку зэгурыIуэныгъэрэ ныбжьэгъугъэрэ дэлъу щытынми елIалIэу. А илъэсхэм библиотекэм и унафэщIу щытащ УФ-м, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Шумахуэ Аннэ Сыхьэт и пхъур. А бзылъхугъэ щыпкъэр илъэс 35-м нэскIэ хьэлэлу пэрытащ а къулыкъум. Ди къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр щекIуэкIа 90 гъэхэм библиотекэм и унафэщIу щытащ Чэлимэт Хьэбас Талъустэн и къуэр. Абыи лъэкI къигъэнакъым лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ тхылъ хъумапIэр иригъэфIэкIуэнымкIэ. Лъэхъэнэр гугъуу щытами, Хьэбас куэд хузэфIэкIащ. 2010 гъэм къыщыщIэдзауэ библиотекэм и унафэщIщ филологие щIэныгъэхэм я доктор, къэрал лэжьакIуэ икIи дипломат цIэрыIуэ, ИнформатизацэмкIэ дунейпсо академиеу ООН-м и нэIэм щIэту лажьэм и академик, профессор Емуз Анатолэ Гъузер и къуэр. Республикэм и къэралыгъуэм зиужьыху, нэхъри ефIэкIуащ библиотекэм и Iуэхури. Абы мызэ-мытIэу ихъуэжащ зыщIэс унэри. КъыщызэIуахагъащIэ 1921 гъэм и щIымахуэм ар зы къату зэтет унэ цIыкIум щIэхуэрт. Абы тхылъу щIэлъыр зэрыхъур 400 къудейт, щIэджыкIакIуэу къекIуалIэри 360-м щIигъуу арат. Зызыужь, ефIакIуэ Областной библиотекэм 1934 гъэм къратауэ щытащ къатитIу зэтет унэшхуэ. Библиотекэм иIэ хъуат ущеджэ хъу пэшышхуэ, справочно-библиографие къудамэ щхьэхуэ. Хэку зауэшхуэм и пэщIэдзэм библиотекэм и тхылъ фондыр экземпляр мини 115-рэ хъурт, абы екIуалIэ щIэджыкIакIуэхэм я бжыгъэми хэхъуат хэпщIыкIыу: ахэр цIыху мин 11-м щIигъурт. 1960 гъэм библиотекэр иджы зыщIэс унэм Iэпхъуащ. Абы щекIуэкIыу хуежьащ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр, социологие, библиотекэ къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр 1968 гъэм абы еджэ хъуащ щIэныгъэ библиотекэкIэ. А зэманыращ библиотекэм къыгуащIыхьауэ щыта унэр зрихьэлIэр. Абы къыщызэIуахауэ щытащ IуэхущIапIэм и къудамэщIэхэр, секторыщIэхэр. И фIэщыгъэр ихъуэжами, нэгъуэщI хэщIапIэхэм Iэпхъуами, и унафэр цIыху зыбжанэм яIэщIэлъами, къэхъуакъым ар щепцIыжа япэ махуэм къыщыщIэдзауэ зыхуигъэувыжауэ щыта и мурад нэхъыщхьэхэм – жылагъуэм щIэныгъэм и нэхур яхуэхьыным, тхылъ еджэным и мыхьэнэр нэхъри Iэтыным, къекIуалIэ и щIэджыкIакIуэхэм яхуэпэжыным. Емузыр зи пашэ библиотекэм нобэ щахъумэ тхылъ, дэфтэрхэм я бжыгъэр мелуанитIым щIегъу, ди республикэм и тхыдэ блэкIам щыгъуазэ уахуэзыщIыф куэди яхэлъу. Библиотекэм и къудамэ 20-рэ сектори 6-рэ я щIэджыкIакIуэ минхэм ядолажьэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIи 150-м нэс. Ди республикэм и унафэщIхэм дапщэщи гулъытэ хэха хуащI щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэм халъытэ лъэпкъ библиотекэм. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, ди хэкуми щылажьэ щэнхабзэ-узэщIакIуэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, щIэныгъэ центрхэм я нэхъыфIхэм, нэхъ лъэщхэм ящыщ IуэхущIапIэм нэхъри зеужь, лъагапIэщIэхэр, ехъулIэныгъэщIэхэр и плъапIэу. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100557.txt" }
КхъуейплъыжькIэрыщIэм и пщIэм хохъуэ «Дунейм къытехьа сабийм адыгэхэм хуащIэ, хуалэжьым хуэдиз хуэзыщIэу хабзэ зиIэ лъэпкъ куэд щыIэкъым!», — щитхащ МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэхэр» тхылъым. Апхуэдэу щытми, зэманым зэрызихъуэжам и нэщэнэу, кхъуейплъыжькIэрыщIэм гулъытэ нэхъ хуамыщIыж хъуащ. Аращ ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыддекIуэкI кхъуейплъыжькIэрыщIэм нобэ псэщIэ хэзылъхьэж, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр езыгъэкIуэкI джэгуакIуэ, журналист Джэдгъэф Беслъэн зыщIыхуэдгъэзам и щхьэусыгъуэри. — Сабий къэхъуам цIэ фIаща нэужь къыкIэлъыкIуэ нэгузыужь дахэу щыта кхъуейплъыжькIэрыщIэр Iэпэдэгъэлэл ящIа ди хабзэ дахэхэм зэращыщым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къадэкIуэу, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэми щIэупщIэ щызиIа мы хабзэр илъэсиплI хъуауэ къызэрыбгъэщIэрэщIэжым дыщыгъуазэщ, Беслъэн. Лъэпкъ хабзэм гулъытэ хуэпщIыныр сыт къызыхэкIар? — Адыгэ хабзэм ехьэлIа дауэдапщэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызызогъэпэщ, ди лъэпкъ щэнхабзэр зи лъабжьэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ хузиIэу. Нэхъ мащIэрэ ирагъэкIуэкI хъууэ IэщIыб ящIу хуежьа Iуэхугъуэхэм ящыщ кхъуейплъыжькIэрыщIэр къэдгъэщIэрэщIэжыну зэричэзум сыхуигъэушащ апхуэдиз дахагъэ зыхэлъ хабзэр цIыхубэм яIэщIэхужынкIэ зэрышынагъуэм. Абы щыгъуэми а Iуэхугъуэм зэманым декIуу зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн зэрыхуейри къэслъытащ. А хабзэм ехьэлIа видео куэд нобэ къэмысами, япэм ар зэрырагъэкIуэкIыу щытам теухуа нэ-тын гуэрхэри къэзгъуэтыжащ. КхъуейплъыжькIэрыщIэм ехьэлIауэ тхыдэм, архив дэфтэрхэм къыхэна тхыгъэхэм ящыщу сызэджахэр, нэхъыжьхэм я чэнджэщхэр къысхуэщхьэпащ. ИужькIэ цIыхухэм а пасэрей хабзэм хуаIэ хъуа еплъыкIэхэр си тегъэщIапIэу ди зэманым екIу нэтынхэр згъэхьэзыращ. Зи гугъу тщIы дауэдапщэр ди зэманым къызэбгъэпэщыну гугъут, сыту жыпIэмэ пкъохэр унагъуэ псоми я пщIантIэм щыпхуэгъэувыртэкъым. Аращ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ сыбгъэдыхьэу Iуэхум псэщIэ хэслъхьэну мурад щIэсщIар. Дезыгъэблэгъа унагъуэм нэхъ пасэу докIуэри гъущIым къыхэщIыкIа Iэмэпсымэ хьэзырыр щыдогъэув, си ныбжьэгъухэр си дэIэпыкъуэгъуу. Дауэдапщэ нэужьым ар зэпкърыдохыжри, машинэм къыдогъэувэж. Нэхъ тыншу Iуэхур къызэрызэзгъэпэщыным иужь ситщ. — Беслъэн, кхъуейплъыжькIэрыщIэр пасэм зэращIу щыта щIыкIэмрэ иджыреймрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хыболъагъуэ. Абыхэм я гугъу къытхуэщIыт. — ЯпэщIыкIэ кърихьэлIахэр хызогъэгъуазэ кхъуейплъыжь- кIэрыщIэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэ дахэм. Пасэм кхъуейплъыжькIэрыщIэ дауэдапщэр пщIын папщIэ ухуейт — чийм телъу быдэу ягъэгъуа кхъуей хъурей, дагъэ фIыуэ зыщIэзыфа кIапсэшхуэ. Арат унэм я тхьэмадэм фэм е щIэпым къыхэщIы-кIа кIапсэшхуэр дагъэ «иригъэфэну» щIыхилъхьэр, кхъуейплъыжькIэрыщIэм зыщыхуагъэхьэзыркIэ. Гуащэми жьэгу чий дапхъэм щигъэгъуну трилъхьэрт матэкхъуей кугъуанэ. Унагъуэм ис адрейхэми зэхуахьэсырт шхуэ, нахъутэ, щIопщ, лъахъэ, щIопщыпс, чысэ, бэлътоку, хэдыкI, цIыкIуфэкIу Iэджи. А псори щIагъэхьэзырыр унагъуэм щIалэ цIыкIу къихъуэмэ кхъуейплъыжьпылъэ ирыхуащIыну арат. Унагъуэм исхэм къуажэм зыхагъэIуащэртэкъым хэхъуэ зэраIэнумкIэ, ауэ «дадэ кIапсэр дагъэм зэрыхилъхьар» ябзыщIыртэкъым, ар псоми къагурыIуэрт. Зи щхьэм дыкъуакъуэ иIэ пкъо лъэщитI щIым быдэу хатIэрт, лъэбакъуитху-хы я зэхуакуу. Пкъохэм я лъагагъри абы нэхърэ нэхъ мащIэн хуейтэкъым. ПкъоуитIым я щхьэм зы бгыкъу лъэщи къытрагъэбыдыхьыжырти, дагъэ защIэ фэ кIапсэр и кум къыщрадзыхырт, и кIапэр бгыкъум иращIэрт (пхъэшыкум ишауэ). Абдеж кхъуей плъыжьыр кIэращIэрт. Бгыкъум хьэпшып цIыкIуфэкIухэри пащIэрт, палъхьэрт. Апхуэдэу абы кIэращIэрт унагъуэм я Iыхьлы хъыджэбзхэу, хэхъуэ зэраIэнур зэхэзыхахэм ягъэхьэзыра хэдыкIхэр, дэнлъэчхэр, фокIэщI Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщIхэр. Я IэщIагъэм щыщ кърагъэхьырт нэхъ IэпэIэсэ цIэрыIуэу къуажэм дэс дэтхэнэ хъыджэбзми. Абыхэм ящыщ щIалэхэм къыпаха нэужь ахэр зыщIам щIэупщIэрт, абы фIыщIэ хуащIырт, и цIэр ираIуэрт, яфIэгъэщIэгъуэну ягъэхъыбарыжырт. Ар къыпихыфыну къару къызыкъуэкIа щIалэмрэ цIыкIуфэкIур зыщIа хъыджэбзымрэ гухэлъ абдеж щызэхуащIи Iэджэрэ къэхъурт. Ауэ хъыджэбзым щIалэр игу иримыхьамэ зыкъригъащIэртэкъым. Апхуэдэ къыщыхъукIэ, щIалэм езым игу ирихь пщащэм кхъуейплъыжькIэрыщIэм къыфIихамкIэ хуэупсэну хуитыныгъэ иIэт. А Iуэхум унагъуэ къэзыгъэхъу, лъэпкъыр зэпызыщIэ мыхьэнэи иIэу щытащ. Пасэрей щIыкIэм хуэдэу нобэ Iуэхур къытхузэгъэпэщыркъым. Зэманым зэрызихъуэжам и нэщэнэу, сезыгъэблагъэ унагъуэхэм я гъунэгъу хъыджэбз цIыкIухэми щэкI кIапэхэр яIыгъыу иджы къекIуэкIыркъым, ауэ а хабзэм хэлъ дахагъэм и гугъу яхузощI, и мыхьэнэр къагурызогъаIуэ. Ди лъэпкъ хабзэм и фIагъым цIыхухэр зэрыдедгъэхьэхынум теухуа Iэмалхэр къыдогъэсэбэп. Езы хабзэм и фIэщыгъэр, и мыхьэнэр яIэщIэгъупщыкIыжауэ, спорт и лъэныкъуэкIэ абы хэлъ гупсысэм нэхъ щытрагъащIи но-бэ урохьэлIэ. КъыжыIапхъэщ, зэманым елъы- тауэ, иджы кIапсэм кIэращIэхэ- ми хуабжьу зэрызихъуэжар, цIыхухъу джанэ, гуащэ, телефон, нэгъуэщI иджырей хьэпшыпхэм къадэкIуэу Iуэхум егъэлеиныгъэ хамылъхьэу пIэрэ жыуагъэIэу — дыщэ Iэлъын, фэтэр, машинэ жыпIэми саугъэт лъапIэхэр зыгъэхьэзырхэри мащIэкъым. Сом мелуаным нэблагъэ, абы фIыуэ щIигъу зи уасэ тыгъэхэр фIэзыдзэхэри щыIэщ. Тыгъэ лъапIэхэр зэрыфIалъхьэфым языныкъуэхэм зэрызрагъэщIагъуэм цIыхур а Iуэхум пыIуегъэкIуэт, хабзэм щIэупщIэри игъэмащIэу. НэхъапэIуэкIэ а Iуэхур къызэзыгъэпэ-щахэм цIыхухэр а гупсысэм хуагъэкIуащи, иджы къысхутешыжыркъым. Къыхэзгъэщынут, мылъку зэпеуэ мыхъуу, ар лъэпкъым и хабзэм пщIэ щыхуэпщIын, щIэблэр щыбгъэгушхуэн зэхыхьэ дахэу, Iуэхугъуэ щхьэпэу зэрыщытыр. Нэхъыщхьэр лъэпкъым хуэфащэ гупсысэ а хабзэм игъуэтыжынырщ. Тыгъэ лъапIэхэр зыIэрыгъэхьэныр нэхъыщхьэу къамылъытэу, зэпеуэ Iыхьэм нэхъ дегъэхьэхын, а хабзэ дахэр япэ зэрырагъэщыным хущIэкъун гупсысэм цIыхухэр хуэмурэ тешэн хуейщ. Абы къыхэжаныкIхэм я цIэ-унэцIэхэр дяпэкIэ Интернетым къислъхьэурэ згъэгушхуэнущ. — КхъуейплъыжькIэрыщIэр пасэм щащIу щытар сабийр дунейм къыщытехьа япэ махуищырт. Иджы ди нэгу щIокI илъэс бжыгъэ пыухыкIа ирикъуа цIыкIухэми а дауэдапщэр къызэрыхузэрагъэпэщыр. — Пасэм псом ящхьэу къалъытэр сабий цIынэр къэгъэхъунырт, ар бзаджэнаджэхэм, узхэм, ажалым щыхъумэнырт. Абы щхьэкIэ къызэрагъэпэщырт тхьэлъэIухэр, Iэзагъэ пыухыкIа зыпыщIа Iуэхугъуэхэр. Апхуэдэщ кхъуейплъыжькIэрыщIэри. Зи ныбжьыр илъэсибл ирикъу я щIалэм кхъуейплъыжькIэрыщIэ щыхуэтщIаи щыIэщ, нэхъ пасэу апхуэдэ Iэмал зэрамыIам къыхэкIыу. Шынагъуэншагъэм гулъытэ хэха хузощI. Бгырыпххэр тIурытIу, кIапсэр зэрынэми, къепхьэхыу зэрыпхыжыфын хуэдэу, цIыхур къехуэх хъуми и ныбэр зэпикъузыкIыну сощI. Сабийхэм къемыгугъуэкIыну кIапсэр щызэтхъуэкIи щыIэщ. Я ныбжь елъы- тауэ IыхьитI-щыуэ гуэшауэ къызыдогъэпэщ. Згъэув Iэмэпсымэр зэрымылъахъшэрщ шынагъуэншагъэм апхуэдизу щIытезгъащIэр. Iуэхум нэхъ хуэIэижь ухъуху нэхъри ухуэсакъыу убгъэдохьэ. — Дауэдапщэм къекIуэлIахэм ящыщу кIапсэм дэпщеину хэт зезыпщытыр? — Дагъэ егъэфа кIапсэм зезыпщытыр зэрыдэкIуеин хуейр Iэпщэ за-щIэщ, и лъакъуэхэр кIапсэм лъигъэIэсыну хуиттэкъым. И щхьэм нэсмэ, псом нэхъапэ кхъуейм едзэкъэн хуейщ, итIанэщ адрейхэм еIэбыну щыхуитыр. Бгыкъум зыгуэр къыпызыхыфым пщIэшхуэ къелэжь. Хуиту кIэрыщIауэ кхъуей джэрэзыр жьэкIэ къэбубыду уедзэкъэнри Iуэху псынщIэ цIыкIутэкъым — ар мывэм хуэдэу быдэт. Бгыкъум кIэрыщIахэм уакIэлъыIэбэн папщIэ лъакъуэхэр къыхэмыхьэу Iэ лъэныкъуэмкIэ зыпIыгъын хуейт. ЦIыкIуфэкIухэр зэрыкIэрыщIар Iуданэ пэтми, абыхэм ящыщ гуэрым кIэлъыIэбэу къыпызыхыфыр зырызыххэт, и ныкъуэр ищхьэм нэмысыфу къещэтэхыжырт. Ап-щIондэху дыхьэшхымрэ гушыIэмрэ зыкъаIэтырт, пщащэ гупым зи къэшэн яхэту кIапсэм къещэтэхыжарат мыгъуэр зи мыгъуар, абы и щхьэ къыхуэIэтыжыртэкъым. Ауэ бгыкъум зыгуэр къыпызыхыфар зэуэ цIэрыIуэ хъурт, псоми зэлъащIысырт, пщIэшхуэ къилэжьырт. ЗыкIэ, езым саугъэт хъарзынэ къылъысырт, етIуанэу, фIыуэ илъагъу пщащэм и щхьэр ину иригъэлъагъужырт, къэшэн иджыри имыIэмэ, лъэкIыныгъэшхуэ игъуэ-тырт къуажэ хъыджэбзхэми, хъыджэбз хьэщIэхэми яхэдэну. КIахэхэм (шапсыгъхэм) кхъуейплъыжькIэрыщIэ щащIкIэ хатIэр зы пкъоушхуэт. Ар цIафтэу упсауэ дагъи щыхуэжауэ щытщ. Пкъом и щхьэм матэ траукIэти, из ящIт IэфIыгъэкIэ, цIыкIуфэкIукIэ. Мы пкъом дэпщеи-фыр хуитт Iэ лъэныкъуэмкIэ зиIыгъыурэ матэм дапщэрэ иIэбэнуми, ауэ ари Iуэху тынштэкъым. ГуфIэгъуэм къекIуэлIахэм сащыхэплъэкIэ къызгурыIуэ хъуащ абыхэм я къарум къихьынур. Я зэфIэкIыр зыхуэдэр къызощIэ. КIапсэм кIэрысщIэхэр я ныбжь елъытауэ зэщхьэщыкIыу сиIэщи, а къекIуэлIа щIалэгъуалэм, ныбжьыщIэхэм я къарум теухуауэ согъэхьэзыр. Илъэси 3-4 ныбжьым ит сабийхэм дадэIэпыкъуурэ щыдэкIуей щыIэщ. Илъэс 60-м ити и зэфIэкI щеплъыж урохьэлIэ. Ику иту къапщтэмэ, абы хэтыну зыхуэфащэу къэслъытэр илъэс 16-м щыщIэдзауэ илъэс 25-рэ хъу щIалэхэрщ, ауэ тIэкIу нэхъыжьыIуэхэри нэхъ цIыкIухэри Iуэхум щытегушхуэ урохьэлIэ. Саугъэт бжыгъэр 7 нэхърэ нэхъ мащIэ ямыщIыну къыхузоджэ. Къапщтэмэ, Iуэхум хэта псори текIуауэ къыдолъытэ, ауэ иужьрейуэ кхъуейр къыфIэзыхам саугъэт нэхъыщхьэр лъосри, ар хэIэтыкIауэ догъэпажэ, ауэ къыхэжаныкI дэтхэнэми я цIэ идоIуэ. Япэ ищахэр тыгъэ нэхъ лъапIэхэр къыфIэхыным дезгъэхьэхыркъым. Iуэхум и кIэ дыдэм нэмысауэ хэт сыт къихьами мыгурыIуэгъуэу къызызогъэпэщ. Унагъуэм зэгъусэу и кIэм сурэт зыт-рагъэхауэ къахуэнэн, япэ ищу пкъом дэкIуеяхэр емыжьэжын щхьэкIэщ апхуэдэу щIэсщIыр. ЩIалэгъуалэм нэмыщI, пасэ- ми кхъуейплъыжькIэрыщIэм хыхьэрт лIыхэри. Ауэ абыхэм кIапсэм иракуртэкъым, атIэ бгыкъум IуданэкIэ кIэрыщIа пкъыгъуэхэм ящыщ фочкIэ е фокIэщIкIэ къыпаудыну хэтт. Абы щыгъуэми зэуэну хуитыр Iуданэ зэрыпыщIарт, езы хьэпшыпым техуэмэ, еуам тезыр къытехуэжырт. Ари хабзэм екIурт, фоч уэ макъымрэ гыным-рэ бзаджэнаджэр игъащтэу къалъытэрти. ЛIыжьхэри щыхыхьэ къэхъурт, тIэкIу гужан къэхъумэ, я щIалэгъуэр ягу къагъэкIыжыну хуеймэ. — КхъуейплъыжькIэрыщIэм хэхъуэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щхьэусыгъуэхэми ехьэлIауэ урохьэлIэ. Иджыри сыт хуэдэ Iуэхугъуэм ехьэлIауэ къызэрагъэпэщрэ ар? Нобэ абы иIэ щIэупщIэм и гугъу къытхуэщIыт. — Унагъуэхэм цIыху къахэхъуар щагъэлъапIэкIэ, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я махуэшхуэхэм администрацэхэм, къалэдэсхэм, къуажэдэсхэм иращIэкI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, лъэпкъ фащэм, адыгэм и щыгъуэ-щIэж махуэм нэмыщI, Iуэхур зэрекIуэкIым хэлъ дахагъэ къудейм папщIэ дезыгъэблагъэхэри щыIэщ. ЩIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым кхъуейплъыжькIэрыщIэр щезгъэкIуэкIащ, IуэхугъуитI-щы зэуэ къыщызэдгъэпэщ къэхъуу. Зы лъэныкъуэмкIэ спорт зэпеуэ щIэщыгъуэхэр, нэгъуэщIыпIэкIэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм я концерт щекIуэкIыу. Хабзэм щыщ Iыхьэм щIэупщIэ, гулъытэ нэхъыбэ къыщыхуамыщI зэи къэхъуакъым. Адрей IуэхугъуэмкIэ я гум нэхъ зэрызигъэнщIар нэрылъагъуу, цIыхухэм а дауэдапщэр нэхъ зэрафIэгъэщIэгъуэныр, зэрыдихьэхыр гуапэщ. Пандемием и пэ къихуэу кхъуейплъыжькIэрыщIэм щIэупщIэшхуэ игъуэтат, ауэ иджыпсту къекIуэкI уз зэрыцIалэм и зэран-кIэ мы хабзэм щIэупщIэр тIэкIу нэхъ мащIэ хъуащ. Узыр нэхъ ящхьэщыкIуэтмэ, цIыхубэм я гуфIэгъуэр нэхъ Iэтауэ зэрыдахы-ным хущIэкъунущ. Пасэм кхъуейплъыжькIэрыщIэр щащI щыIэт хьэщIэ лъапIэ къахуэкIуэми. Апхуэдэхэм деж нэхъыбэу зэпеуэрт шы гъэджэгункIэ, шыр жьэрыутIыпщу здэжэм бэлътоку, ахъшэ жьгъей къэщтэнымкIэ (гъуэгум телъу), щIакIуэ кIапэкIэ мастэ къэщтэнкIэ, къарукIэ, IэмалкIэ… — КхъуейплъыжькIэрыщIэм щIыгъуу тхьэлъэIури къызэвгъэпэщрэ? — Кхъуейплъыжьпылъэр дэнэ деж щемыкIуэкIами а кIэрыщIэ закъуэмкIэ зэфIэкIыртэкъым. Иджыри а тхьэлъэIум Iэнэ къыхуащтэ, нэхъыжьхэр ягъэхъуахъуэ. Нэхъапэм хъыджэбзхэм щхьэкIэ хъыринэ иращIэрт, щIалэхэр нэщанэ еуэрт, щIалэ нэхъыжьхэр, лIыхэр пхъэджащэ дзынкIи зэпеуэт, мыви ядзырт. (Пхъэджащэр цIафтэу упса пкъоушхуэщ, я Iэхэр зэрадзэрти я Iэ-гум кIапэ лъэныкъуэр иту жыжьагъкIэ ядзырт), хьэблэ-хьэблэкIэ чыбжьэ зэпекъухэрт. Куэдрэ къэхъурт нэхъ зылъэкIхэм кIапсэрыкIуи кърагъэблагъэу, пелуанхэр щызэрагъэбэну, мыщэ е нэгъуэщI хьэкIэкхъуэкIэ гъэса къыщагъафэу (къыщагъэлъагъуэу). Пхъэидзэ дощI, тхыдэм дытопсэлъыхь, макъамэ щIыгъуу джэгу къафэхэр къызыдогъэпэщ. ГуфIэгъуэр щекIуэкI унагъуэм, цIыху къекIуэлIам теухуауэ программэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри щыхэтлъхьэ щыIэщ, ауэ нэхъыбэм и пкъыр зыуэ къонэж. — Гъэм и зэманхэр къапщтэмэ, щIымахуэм а дауэдапщэр къызэбгъэпэщыну нэхъ гугъуу къыщIэкIынщ… — ЩIымахуэм, дауи, нэхъ мащIэ мэхъу а хабзэм къыщIэупщIэр, ауэ гъэм и адрей лъэхъэнэхэм зэпымыууэ къызыдогъэпэщ. Пасэм сабийр щIымахуэу къалъхуамэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэр щIы-бым щыпщIыфынутэкъым, унэ кIуэцIым мыхъэр щагъахъэу, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къагупсысурэ щIэпщакIуэм хуэдэу, ипэ зэманым нысэ цIыкIур трагъэурт. Мыри жэщищ махуищкIэ зэпагъэуртэкъым, Iэуэлъауэмрэ даущымрэ а пIалъэм нысэмрэ сабиймрэ ящхьэщытт. — Гъунэгъу республикэхэми мы Iуэхум щIэупщIэ зэрыщиIэр гуапэщ. — Ди республикэм и районхэм я мызакъуэу, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс щIыналъэхэми срагъэблэгъащ. КъищынэмыщIауэ, Тыркум я Адыгэ Хасэхэми Интернет, жып телефон IэмалхэмкIэ зыкъыспащIэурэ къызэчэнджэщащ я фестивалхэм кхъуейплъыжькIэрыщIэр щызгъэлъэгъуа зэрыхъунум теухуауэ. ПыухыкIауэ зэкIэ дызэгурымыIуами, ди лъэп- къэгъухэр щыпсэу нэгъуэщI щIыналъэхэми а хабзэм зэрыщыщIэупщIэр гуапэщ. Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100562.txt" }
ЯщIахэр къапщытэж, мурадыщIэхэр яубзыху ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и зи чэзу зэхуэсыр шыщхьэуIум и 20-м щекIуэкIащ Налшык дэт «Синдика» хьэщIэщым. Абы кърихьэлIат ЩIДАА-м хэтхэр. НэгъуэщI республикэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэухэм ящыщу зэIущIэм къэмыкIуэфахэм видеоконференц IэмалымкIэ зыпащIащ. Зэхуэсыр теухуауэ щы-тащ ЩIДАА-м 2019 — 2021 гъэхэм зэфIигъэкIахэр зэхэлъхьэжыным, дяпэкIэ зэлэжьынухэр убзыхуным. ЗэIущIэр видеозэпыщIэныгъэ Iэмалым тету иригъэкIуэкIащ ЩIДАА-м и тхьэмадэ Къанокъуэ Арсен. — Ныбжьэгъу лъапIэхэ, дуней псом зыщызыубгъуа узыфэ зэрыцIалэм и зэран-кIэ хуиту дызэхуэзэу мы зэхыхьэр едгъэкIуэкIыну Iэмал диIэкъым. Апхуэдэу щытми, фщыщ дэтхэнэри слъагъуну си гуапэщ икIи мы зэIущIэр зытеухуа Iуэхухэр тэмэму зэрызэпкърытхыфынум, пщэрылъ зыщытщIыж къалэнхэр зэрызэдгъэхъулIэфынум шэч къытесхьэркъым, — жиIащ Къанокъуэ Арсен зэIущIэр къыщызэIуихым. — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди иужьрей зэхуэсым и ужькIэ, дунейм ехыжахэщ дызэрыгушхуэхэу, ЩIДАА-м и академикхэу Бэчыжь Лейла, Темыр Умар, Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, Щоджэн Аслъэнбэч, Дзыбэ Жантемыр, Хъущт Юрэ, Къад Татьянэ, Шенкао Мухьэмэд сымэ. Абыхэм мыкIуэдыжын лъэужь къагъэнащ икIи я IуэжьыфIхэр ди лъэпкъым, ди къэралым зэрахуэщхьэпэнум шэч хэлъкъым. А цIыху щэджащэхэр дэ тщыгъупщэнкъым. Ди иужьрей зэIущIэм лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзыни тхузэфIэкIащ, абыхэм нэхъ зэпкърыхауэ тепсэлъыхьынщ щIэныгъэлI секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсэу Сэфарбий. Сэ сыкъытеувыIэну сыхуейт накъыгъэ мазэм УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм ди уставым дагъуэ гуэрхэр къызэрыхуищIам икIи ахэр дгъэзэкIуэжу нобэ унафэ тетщIыхьыпхъэщ. КъимыдэкIэ, Академиер хуэныкъуэщ ди лэжьыгъэм жыджэру хэтынухэм, лъэпкъ Iуэхухэр ипэкIэ зыгъэкIуэтэфынухэм икIи апхуэдэхэр абы къыхэгъэхьэнми дегупсысыну къытпэщытщи, абыхэми дыкъытеувыIэнщ. Къанокъуэ Арсен и къэпсэлъэныгъэм иужькIэ, ЩIДАА-м 2019 — 2021 гъэхэм зригъэхъулIэфахэм, къалэн зыщищIыжауэ щытахэм ящыщу зэкIэ зыхунэмысу къэнахэм теухуауэ къэпсэлъащ щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсэу Сэфарбий. Ар адыгэхэм я щIэныгъэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэм и лэжьыгъам купщIа-фIэу тепсэлъыхьыжащ, дяпэкIэ гу зылъытапхъэхэри къигъэнаIуэу. ИужькIэ, зэхуэсым хэтхэм IэIэткIэ Щхьэгъэпсэур щIэныгъэ секре-тарь нэхъыщхьэу хахыжащ. ЩIДАА-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ ЛIэужь Iэдэм ЩIДАА-м и действительнэ членхэу Къалэ Руслан, ХьэIупщы Мухьэмэд, Бей Iэуес сымэ къэзыпщытэ комиссэм хэгъэхьапхъэу я кандидатурэр къигъэлъэгъуащ. ЩIэныгъэ советым хэтхэр абы арэзы техъуащ. Къанокъуэ Арсен къызэрыхилъхьам тету, Президиумым хэтын хуей цIыху бжыгъэр зимыхъуэжу — 21-уэ — къагъэнэжащ, ауэ дунейм ехыжа цIыхуиблым я пIэкIэ абы хагъэхьащ ЩIДАА-м и действительнэ членхэу Щхьэгъэпсэу Сэфарбий, Хьэбэчыр МуIэед, Есчындар Мухьэдин, Иуан Зэуал, Блий Станислав, КIыщокъуэ Руслан, Псху Арсен сымэ. Президиумым и унафэкIэ ЩIДАА-м хагъэхьахэщ Пачулиа Ниазбей, Мамшу Мурат, Эква Январбий, Апажэ Аслъэн, Къуэкъуей Мухьэмэд, Щоджэн Юрэ, ЗекIуэрей Аслъэн, Шымэзокъуэ Мусэ, Хьэткъуэ Самир, Уэзы ФатIимэ, Ершов Виталий, Хагбэ Лили, Алейбэ Джульеттэ, Бейтыгъуэн Сэфарбий, Дидем Йылмаз, Пащты Мадинэ, ТIрахъуэ Аслъэн, Дыгъужь Муминат, ДыщэкI Мурат, Къалмыкъ Жылэбий, Касландзие Алексей, Щауэ Мухьэмэд, Хьэтыхъу Iэубэчыр, Хьэмыз Руслан сымэ. Апхуэдэуи, ЩIДАА-м Москва щиIэ щIэныгъэ центрым и унафэщIу Есчындар Мухьэдин хахащ. ЩIДАА-м и уставым хэплъэжа нэужь, зэхъуэкIыны-гъэхэри халъхьауэ, зэдэарэзыуэ къызэдащтащ. Къанокъуэ Арсен къыхилъхьэри, ЩIДАА-м и щIэныгъэ центру Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэм и унафэщIу Иуан Зэуал, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым — Хьэбэчыр МуIэед хахащ. ЩIДАА-м медицинэ, биологие щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм и действительнэ член-секретару КIыщокъуэ Руслан, мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм и действительнэ член-секретару Блий Станислав хахащ. Къанокъуэ Арсен зэIущIэм и кIэм фIыщIэ яхуищIащ абы хэтахэм икIи жиIащ академием и лэжьыгъэр нэхъри егъэфIэкIуэным, щIэныгъэ, щэнхабзэ IэнатIэхэм зегъэужьыным дяпэкIи зэрегугъунур. НафIэдз Мухьэмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100566.txt" }
ХьэщIэщхэр зэпэубыдауэ щымытын папщIэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ «инвестицэ сыхьэт» зэIущIэр. Абы ирагъэблэгъат хьэщIэщхэр гъэлэжьэным зи мылъку хэзылъхэну хуей инвесторхэр. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ республикэм хьэщIэщхэр нэхъыбэу щыгъэлэжьэным теухуа Iуэхухэр икъукIэ зи чэзууэ зэрыщытыр, сыту жыпIэмэ щIыналъэм зыщызыплъыхьыну къакIуэхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ икIи иджы щыщIэдзауэ хьэщIэщхэр зэпэубыда зэрыхъур нэрылъагъущ. Къэрал кIуэцI туризмэм щIэупщIэ нэхъыбэ зэриIэр и фIыгъэщ Урысейм и унафэщIхэм а Iуэхум хуащI гулъытэм зэрыхэхъуам, УФ-м зыплъыхьакIуэ къыщызыкIухьхэм къэралым субсидиехэр зэрахухихым, «Туризмэмрэ хьэщIэ егъэблэгъэным епха Iуэхухэмрэ» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэн зэрыщIадзам. КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, мы гъэм и япэ илъэс ныкъуэм республикэм турист мин 520-рэ къыхуеблэгъащ, ар 2019 гъэм и апхуэдэ пIалъэм, узыфэ зэрыцIалэр къежьэным ипэкIэ, зэрыщыта бжыгъэм нэхърэ процент 43,6-кIэ нэхъыбэщ. ЗэрагугъэмкIэ, илъэсым и кIэ пщIондэ туристхэм я бжыгъэр мелуаным нэблэгъэнущ. Зыхэхъуар бгылъэ щIыпIэхэм щыIэ зыгъэпсэхупIэхэм дахьэххэм я закъуэкъым, атIэ Налшык и санаторэ-курорт IуэхущIапIэхэм къакIуэхэм я бжыгъэри нэхъыбэ хъуащ. «Инвестицэ сыхьэтым» щытепсэлъыхьащ къыхалъхьа проектхэр гъэзэщIа зэрыхъуну щIыкIэхэм. Япэ инвестицэ проектыр теухуат Туристым и унэу щытар, ЩоджэнцIыкIумрэ Лермонтовымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм деж хуэзэр, хьэрычэтыщIэм, хьэщIэщхэр гъэлэжьэным хэт дунейпсо компаниер гъусэ ищIу, иджырей комплекс къызэригъэпэщыным. Унэр щаухуэм иIа теплъэр яхъумэнущ икIи инвесторым и мурадщ абдеж цIыхуи 120-рэ зэуэ зыщIэхуэну хьэщIэщ илъэситIым къриубыдэу къыщызэIуихыну. ЕтIуанэ хьэщIэщ комплексыр щащIынущ Налшык Лениным и цIэр зезыхьэ и проспектым икIи ар 2022 гъэм лажьэу яутIыпщыну я мурадщ. Проектыр екIуу хэувэнущ Налшык и проспектым и архитектурэм, абы щIыпIэм щыщ сурэтыщIхэмрэ цIыху IэпщIэлъапщIэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм я выставкэхэри щрагъэкIуэкIыу щытынущ. Ещанэу къыхалъхьа проектыр «Маяк» зыгъэпсэхупIэр зи лъабжьэу щытыну санаторэ-зыгъэпсэхупIэ комплексырщ. Абы къыщызэIуахыну я мурадщ сабийхэм я узыншагъэр щызэфIагъэувэж центр. Унэр зэуэ ныбжьыщIи 100-м Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэфыным теухуауэ щытынущ, абы къыдэкIуэу, хуей хъумэ, сымаджэхэм я Iыхьлыхэри здэщыIэнухэри хэтынущ. «Мы проект псоми инфраструктурэ, административнэ дэIэпыкъуныгъэхэр ягъуэтынущ, ахэр гъэзэщIэныр туризмэм а и унэтIыгъэхэм зегъэужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщи. АдэкIи гулъытэ хэха хуэтщIу дыхэплъэнущ къыхалъхьэ инвестицэ проект псоми», — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. «Инвестицэ сыхьэт» зэIущIэр щызэхуищIыжым КIуэкIуэ Казбек Правительствэм пщэрылъ щищIащ инвесторхэм зи гугъу ящIа проектхэр гъэзэщIэным зыхуэгъэхьэзырыным епха Iуэху псори зэфIагъэхьэну. Апхуэдэ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIыну муниципалитетми къалэн щищIащ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Пр24авительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100571.txt" }
Урысей Федерацэм и лъэщагъыр зэлъытар КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я «Хэкупсэ» дзэ паркым щекIуэкIа «Армия-2021» дунейпсо дзэ-техникэ форумым. Зэхуэсышхуэр къызэIуихащ УФ-м и Президент Путин Владимир. Абы къызэхуэсахэм защыхуигъазэм жиIащ: «Форумым иджырей Iэщэ, техникэ лIэужьыгъуэу мин 28-рэ щагъэлъагъуэ, мыбы фочым деж щегъэжьауэ топ зэмылIэужьыгъуэхэр, танкхэр, дзэм къигъэсэбэп кхъухьлъатэхэр хэтщ. Iэщэм я нэхъыбэр зауэ губгъуэм щагъэунэхуащ икIи зэхэуэ гуащIэхэм къыщахутащ абыхэм я быдагъымрэ сыт и лъэныкъуэкIи нэгъэсауэ зэрыщытымрэ. Урысейм и зэрызахъумэж-промышленнэ комплексымрэ IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэмрэ иджырей технологиер я лъабжьэу зэрызедгъэужьыным иужь дитщ, ди щIэныгъэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм я программэхэмрэ къэдгъэсэбэпурэ. Абы ипкъ иткIэ, форумым гулъытэ нэхъыбэ зыщыхуэтщIынур дзэм интеллект IэрыщIымрэ робототехникэмрэ, связымрэ управлениемрэ я ухуэкIэ нэхъ щIэ дыдэхэр къызэрыщыдгъэсэбэпынырщ, сыту жыпIэмэ, ахэращ дунейм щынэхъ лъэрызехьэ къэралхэм я дзэхэм я лъэщагъыр, Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я къэкIуэнур зэлъытар». УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Шойгу Сергей жиIащ форумым хамэ къэрал 97-м къикIахэр зэрыхэтыр, абы ипкъ иткIэ, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм сом мелард 500 и уасэ къэрал контракту 45-рэ хамэ хэкухэм я лIыкIуэхэм ярищIылIэну зэримурадыр. Ящэхуну хуагъэлъэгъуэнухэм ящыщщ «Уран-14» робототехникэ комплексхэр, мафIэ зэрадз системэ хьэлъэхэр, Т-90М танкхэр, апхуэдэуи тIасхъэщIэх кхъухьхэр, лагъым тенджызхэм къыщызылъыхъуэф кхъухьхэр яхуэщIыным теухуа зэгурыIуэныгъэхэр. «Армия-2021» форумыр шыщхьэуIум и 28 пщIондэ щекIуэкIынущ УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я «Хэкупсэ» дзэ паркым, Кубинкэ аэродромым, «Алабино» полигоным, апхуэдэуи дзэ округхэмрэ Ищхъэрэ Флотымрэ. Абы хэту гъэлъэгъуэныгъэхэр, щIэныгъэ-лэжьыгъэ зэхуэсхэр къызэрагъэпэщынущ. Форумыр щекIуэкIым техуэу, шыщхьэуIум и 22-м щегъэжьауэ фокIадэм и 4 пщIондэ, VII дунейпсо армейскэ джэгухэр екIуэкIынущ, абы къэрал 44-м я гупхэр хэтынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрми щокIуэкI VII дунейпсо армейскэ джэгухэм я зы Iыхьэ — «Iуащхьэмахуэ и уэрдыхъу» зэхьэзэхуэр. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и сайтым зэритымкIэ, зэпеуэм хэтщ Урысейм, Китайм, Пакистаным, Къэзахъстаным, Армением, Абхъазым, Осетие Ипщэм, Узбекистаным, Индием я дзэ альпинист гупхэр. КIуэкIуэ Казбек нобэ хэтащ илъэс къэс екIуэкI «Армия 2021» VII форумым щыщу къызэрагъэпэща «Диверсификация оборонно-промышленного комплекса. Трансформация промышленной базы» II Конгрессым и зэхуэсышхуэм. Ар форумым и щIэныгъэ-лэжьыгъэ программэм щыщ Iыхьэ нэхъыщхьэщ. Зэхуэсым щаубзыху, урысей зыхъумэжыныгъэ-промышленнэ комплексхэр щагъэхьэзыр предприятэхэм зегъэужьыным теухуауэ Урысей Федерацэм и Президентым къыдигъэкIа унафэм тету, Урысейм техникэ къыщыщIэзыгъэкIхэм иратын хуей къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр зыхуэдэнур. Конгрессым хэтахэр тепсэлъыхьащ блэкIа илъэсым мы IэнатIэм игъуэта зыужьыныгъэхэм, зыхъумэжыныгъэ-промышленнэ комплексхэр дяпэкIи зэрырагъэфIэкIуэну Iэмалхэм. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ транспорт комплексым, узыншагъэр хъумэным, радиоэлектроникэм, кхъухьлъатэхэр зэпкърылъхьэным, экологием, мэкъумэш IэнатIэм, нэгъуэщIхэми. Зытепсэлъыхьахэм кърикIуахэм теухуауэ зыхъумэжыныгъэ-промышленнэ комплексхэр къыщыщIагъэкI IуэхущIапIэхэмрэ УФ-м и хэгъэгухэм я Iэтащхьэхэмрэ зэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIэну я мурадщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100574.txt" }
Япэ къекIуэкIыгъуэм щытекIуар хэтми зэкIэ наIуэкъым Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и япэ къекIуэкIыгъуэр иухащ. АрщхьэкIэ иджыри наIуэкъым хэт абы щытекIуами. Бжьыпэр зэкIэ IэщIэлъщ «Тэрчым». АрщхьэкIэ абы иужьым къит «Родник»-мрэ «Энергетик»-мрэ зэIущIэ зырыз (езыхэр зэдэджэгужу) къапэщылъщ щэбэт дызыхуэкIуэм. Ар щрагъэкIуэкIыжыну махуэр иджыри къэс траухуэфакъым прохладнэдэсхэр зэхьэзэхуэ зыбжанэм зэуэ зэрыхэтым къыхэкIыу. Хэт текIуэми пашэныгъэр иубыдынущ, зэрытемыгъакIуэмэ — джылахъстэнейдэсхэр япэ къонэ. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэм и кIэух зэIущIэр екIуэкIащ нэхъ лъэщхэм я тепщэныгъэ инкIэ. Апхуэдэу бжыгъэшхуэ защIэкIэ я хьэрхуэрэгъухэр хагъэщIащ «Тэрчым» («Шэрджэсыр» 8:0-у), «Родник»-м («Ислъэмейр 6:1-уэ), «Энергетик»-м («Шэджэм-2»-р 6:0-у). Нэхъ хьэлъэж хъуащ къыкIэрыхухэм я Iуэхухэр. Мы гъэм псоми зэрызэ къыхагъащIа «Нартыр» и стадионым «Малка»-м 1:8-уэ къыщыпикIуэтащ, «Шэрэджым» 6:3-уэ «ХьэтIохъущыкъуейр» къефIэкIащ, «Эльбрус»-р 2:5-уэ «Спартак-Д»-м къригъэкIуэтащ. Хэт ищIэн абыхэм я Iуэхухэр етIуанэ къекIуэкIыгъуэм зэрыхъунур. ЗэкIэ гурыфIыгъуэ лъэпкъ езыхэми къадэщIхэми яIэкъым. Иджы щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм: «Ислъэмей» (Ислъэмей) — «Родник» (Псынэдахэ) — 1:6, «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) — «Кэнжэ» (Кэнжэ) — 1:1, «Энергетик» (Прохладнэ) — «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — 6:0, «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — «Урыху» (Урыху) — 1:2, «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) — «Шэрэдж» (Старэ Шэрэдж) — 6:3, «Тэрч» (Тэрч) — «Шэрджэс» (Шэджэм) — 8:0, «Спартак-Д» (Налшык) — «Эльбрус» (Тырныауз) — 5:2, «Нарт» (Нарткъалэ) — «Малка» (Малкэ) — 1:8. ФокIадэм и япэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ щыIэну зи чэзу джэгугъуэм щызэIущIэнущ: «Урыху» — «Шэрджэс», «Спартак-Д» — «ХьэтIохъущыкъуей», «Псыгуэнсу» — «Родник», «Нарт» – «Шэджэм-2», «Эльбрус» — «Энергетик», «Шэрэдж» — «Кэнжэ», «Ислъэмей» — «ЛогоВАЗ», «Тэрч» — «Малка» командэхэр. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100578.txt" }
ХьэпцIей хьэлыуэмрэ цIыртI зыщIэлъ къазымрэ Шхыныгъуэхэм я фестивалу Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIам джылахъстэней пщафIэхэм дунейпсо рекорд зэрыщагъэувамкIэ къыддогуашэ Тэрч щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Дадэ МуIэед. «Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 щрикъуну махуэм ирихьэлIэу, Iуащхьэмахуэ лъапэ деж, метр 2080-м нэблагъэ лъагапIэм зыщызыубгъуа къуршыщхьэ фестивалым екIурэ ещхьу хэтащ Джылахъстэнейм и лIыкIуэхэри», — щетх Тэрч администрацэм и унафэщIым и инстаграм напэкIуэцIым. Республикэм щыщ адрей щIыналъэхэм ещхьу, тэрч лIыкIуэхэми зыхуей хуэзауэ зэлъыIуахат лъэпкъым и щэнхабзэмрэ и псэукIэмрэ, абы къыдекIуэкI IэщIагъэхэмрэ гъуазджэмрэ щагъэлъагъуэ пщIантIэр. ПщэфIыгъэхэм я зэпеуэм Тэрч щIыналъэр хыхьащ джылахъстэней лъэныкъуэр зэрыцIэрыIуэ шхыныгъуитIкIэ. ЯпэщIыкIэ пщафIэхэм фестивалым къеблэгъахэм ирагъэцIыхуащ хугу хьэжыгъэм къыхэщIыкIа, сыт хуэдэ гуфIэгъуэ Iэнэми тралъхьэ хьэлыуэр. «Хугу хьэжыгъэмрэ тхъу гъэвэжамрэ гугъуехьышхуэ пылъу къыхащIыкI хьэлыуэр гулъытэ хэха хуащIу ижь-ижьыж лъандэрэ яхъумэ джылахъстэнейм щыщ бзылъхугъэ нэхъыжьхэм, — етх адэкIэ Дадэ МуIэед. — Лъэпкъым къыдекIуэкI ерыскъыхэкIхэм хуэIэзэ, ХьэпцIей къуажэжьым щыщ бзылъхугъэ IэкIуэлъакIуэхэм хьэлыуэр зэращIыр Iуащхьэмахуэ лъапэ къеблэгъа хьэщIэхэм я нэгу щIагъэкIащ. Дыгъэпсыр зытеджэгукI, зи мэм узыIэпишэ, къэуатышхуэ зыщIэлъ, зи дахагъыр зи IэфIагъым къыкIэрымыху, килограмми 147-рэ зи хьэлъагъ хьэлыуэ тхъуэплъыр пщафIэхэм траубат метр 1,5-рэ зи бгъуагъ Iэнэм. Зэхьэзэхуэр иуха нэужь, хьэлыуэ хуабэр Iуащхьэмахуэ лъапэ къеблэгъахэм Iуагъэхуащ». ЕтIуанэрей шхыныгъуэу бзылъхугъэ IэкIуэлъакIуэхэм утыку ирахьащ Тэрч лъэныкъуэр зэрыцIэрыIуэ «хьэлIамэ цIыртI зыщIэлъ къазыр». Зы шыуаным къаз тIощI щагъавэри, килограмми 103-рэ зи хьэлъагъ хьэлIамэ цIыртI дыщIагъужащ. Мы етIуанэ дунейпсо рекордыр, уеблэмэ, Гиннес и тхылъым иратхэну загъэхьэзыр. Дадэ МуIэед фIыщIэ гуапэкIэ захуегъазэ Тэрч щIыналъэр екIурэ ещхьу утыку ихьэн хуэдэу Iуэхум гурэ псэкIэ хэлэжьыхьа псоми. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100582.txt" }
Илъэсищэпежьэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щащI «Урысейм рекордхэр зратхэ и тхылъ» проектым ипкъ иткIэ фестиваль къызэрагъэпэщащ икIи ирагъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм, «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгухьэныгъэм, «Урысей лъэщ» къэралпсо спорт зэщIэхъееныгъэм. Рекордхэм я фестивалыр хуэгъэзат Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 зэрырикъум. Щэнхабзэм, спортым, пщэфIэным хуэIэкIуэлъакIуэхэм я дунейпсо зэхыхьэр Iуащхьэмахуэ лъапэщ щекIуэкIар. Абы хэтахэм рекорд 30 ягъэуващ. «Иткол» пансионатым и гупэ утыкум деж КъБР-м и щIыналъэхэм я шэтырхэр ирагъэувэкIат. Абыхэм щIэлът лъэпкъ шхыныгъуэхэр, игъащIэ лъандэрэ къадекIуэкIыу щыта хьэпшыпыжьхэр, Iэмэпсымэхэр. Къызэхуэсахэм яхэтт Урысейм и щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм къикIа туристхэр, хьэщIэу ди республикэм къеблэгъахэр. Абыхэм ялъагъуу, зы рекордым адрейр кIэлъыкIуэу ягъэувырт. Апхуэдэхэр спортым и закъуэ егъэщIылIауи щыттэкъым — Iэмал щыIэт уи зэфIэкI сыт хуэдэ лIэужьыгъуэмкIи къэбгъэлъэгъуэну. Псалъэм папщIэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ къашат килограмм 40 зи хьэлъагъ, сантиметр 70 зи бгъуагъ адыгэ кхъуейр. Адыгэ шхыныгъуэу лы гъуррэ пIастэрэ ягъэхьэзырат, метр зэбгъузэнатIэу 1,5-рэ хъууэ. ДзасэкIэ ягъэжьа лым и кIыхьагът метр 99-рэ. Балъкъэр хъыршыным и бгъуагът метри 2,5-рэ. Жэрумэ ягъэхьэзырам и кIыхьагъыр метр 12 хъурт, жаубаурыр метрихым нэблагъэрт. Лъэпкъ шхыныгъуэхэр зэрагъэхьэзыр щIыкIэм теухуа мастер-классхэр ятащ пщафIэхэм. Махуэшхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ, рекордхэр зратхэ тхылъхэм ядэлажьэ «Урысей лъэщ» къэралпсо спорт зэщIэхъееныгъэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Узденов Мурат зэрыжиIамкIэ, мыпхуэдэ Iуэху дахэр иджы еплIанэу УФ-м къыщызэрагъэпэщ. Къэрэшей-Шэрджэсым щэнейрэ щекIуэкIащ. Узденовым къызэрыхигъэщащи, сыт хуэдэ ехъулIэныгъэ зыIэрагъэхьами, ар ятхынущ, икIи илъэсым зэ фIэкIа къыдамыгъэкI Урысейм рекордхэр зратхэ и тхылъым ихуэнущ. Рекорд зыгъэува дэтхэнэми и сурэтыр иту напэкIуэцI щхьэхуэ къыхузэIуахынущ. ИкIи нэхъапэм къэмыхъуа зыхузэфIэкIам текIуэжын хуейщ абы и пIэкIэ а тхылъым ихуэну и мураду утыку къихьа дэтхэнэми ар къехъулIэн папщIэ. Фестивалым и режиссёр Сапрыкинэ Галинэ зэрыжиIамкIэ, творческэ и лъэныкъуэкIэ ягъэува рекордхэри гъэщIэгъуэнт — уэрэджыIакIуэ Текуев Амур Iуащхьэмахуэ щыгум уэрэд щыжиIащ. «Иткол» пансионатым и бгыщхьэм зыкъыщагъэлъэгъуащ «Кабардинка», «Балкария», «Терские казаки» къэрал ансамблхэм я къэфакIуэхэм, сабий творческэ гупхэм щыщхэм — псори зэхэту артист 95-м. А махуэм спортымкIи рекорд куэди ягъэуващ. Абы хэтащ гукъыдэж зиIэ дэтхэнэри — ахэр цIыху 400-м нэблагъэрт. Нэхъыжь дыдэу а зэпеуэм хэтар илъэс 85-рэ хъурт, нэхъыщIэм и ныбжьыр илъэс ирикъуа къудейт. МетрипщI зи лъагагъ кIапсэ ищIам дэпщеинымкIэ зэпеуэм щытекIуащ Гугъуэт Тимур — ар абы хэнейрэ дэкIуеящ. ГъукIэлI Ислъам щылъу килограмм 200 зи хьэлъагъ штангэр къиIэтащ. Илъэс 71-рэ зи ныбжь, спортым и ветеран Ингуш Чэрим зи хьэлъагъыр килограмм 35-рэ хъур 50-рэ къиIэтащ. Спортсмен-экстремалхэу Шкель Виталий, Ачабаев Ильяс сымэ Iуащхьэмахуэ дэжеинымкIэ рекорд ягъэуващ. БильярдымкIэ дуней псом и чемпион Пашинский Юрий Iуащхьэмахуэ метр мини 4,3-рэ и лъагапIэм деж щагъэува стIолым бильярд щыджэгуащ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, рекорд ягъэувахэм я бжыгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыпэр щиIыгъщ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм. НафIэдз Мухьэмэд.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100585.txt" }
IэнатIэм зиужьыным хуэгъэпсауэ Ди гуапэ зэрыхъущи, курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щызрагъэгъуэт училищэхэм, колледжхэм хуащI къэрал гулъытэмрэ жылагъуэм щаIэ пщIэмрэ хэхъуэ зэпытщ. Нэхъапэм абыхэм щIэтIысхьэр еджэнымкIэ нэхъ лъэрымыхьу школыр къэзыух ныбжьыщIэхэрауэ щытамэ, иджы абыхэм щIэсщ зэчий, зэфIэкI зэмылIэужьыгъуэхэр зыбгъэдэлъ зи щIалэгъуэ цIыкIухэр. Колледжхэм я пщIэр адэкIи жылагъуэм къыщыIэтыным хуэгъэпса къэрал унафэ иджыблагъэ къыдэкIащ. Абы ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым мыгувэу къыIэрыхьэнущ сом мелуани 198-рэ. Ар хуаутIыпщынущ курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэм щыIэ мастерскойхэр зэгъэпэщыжыным, апхуэдэуи щIэхэр щыщIыным. Апхуэдэ Iэмал республикэм къезытар абы и колледжхэр къэралпсо зэпеуэхэм зэрыхэтырщ, увыпIэфIхэри къызэрыщахьырщ. Къапщтэмэ, ди республикэм и апхуэдэ курыт еджапIэхэр ехъулIэныгъэ яIэу мызэ-мытIэу хэтащ «IэщIагъэлI ныбжьыщIэ-хэр» («WorldskillsRussia») зэпеуэм. А дунейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэпсо Iыхьэри къызыхуэтыншэу зыбжанэрэ щекIуэкIащ ди щIыпIэм. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуа а зэпеуэм къриубыдэу, яубзыхуат 2022 — 2024 гъэхэм зи мастерскойхэр ирагъэфIэкIуэну щIыналъэхэр. КъБР-м ныбжьыщIэхэм курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ егъуэгъуэтын и лъэныкъуэкIэ иIэ зэфIэкI лъагэхэр къалъытэри, ар хагъэхьащ апхуэ- дэ дэIэпыкъуныгъэ зыгъуэтыну курыт еджапIэхэм. Абы ипкъ иткIэ ди республикэм и колледжи 9-м къыщызэIуахынущ мастерскойуэ 40. Абыхэм ныбжьыщIэхэр щыхурагъэсэнущ къыхаха IэщIагъэхэм я щэху куэдым. Еджэныр зэфIахмэ, ныбжьыщIэхэр лэжьыгъэ IэнатIэм нэхъ щIэхыу хэзэгъэнымкIэ сэбэпышхуэ хъунущ а къудамэхэр. Мастерскойхэр къыщызэIуахынущ туризмэмрэ хьэщIэщхэмрэ, графикэ дизайн, бжыгъэр зи лъабжьэ моделирование, сабий садхэм я гъэсакIуэхэр, пщафIэхэр, къегъэлакIуэхэр гъэхьэзырын, промышленнэ хадэгъэкI егъэджэныгъэ унэтIыныгъэхэмкIэ, нэгъуэщI техникэ IэщIагъэхэмкIэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр щагъэхьэзыр колледжхэм. КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхуэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту лажьэ а колледжи 9-м мы зэманым щоджэ студент мини 10-м нэс. Шэч хэмылъу, а ныбжьыщIэхэр зыхуеджэ IэщIагъэхэмкIэ ябгъэдэлъ Iэзагъым нэхъри щыхагъэхъуэнущ а мастерскойхэм. АтIэми, технологие лъагэкIэ къызэгъэпэща IэнатIэхэращ къэкIуэнур зейр, а еджапIэхэр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха дэтхэнэми лъэпкъ экономикэм лэжьапIи щигъуэтынущ, пщIэ щиIэуи лэжьэнущ. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100590.txt" }
БлэкIар нэIурыту Тхыдэр джыным, зэхуэхьэсыжыным мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэр къыхэзыгъэ-щу «археологие» псалъэр япэу къэзыгъэсэбэпауэ щытар Пасэрей Алыджым и философ цIэрыIуэ Платонщ. Абы къызэринэкIа и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм ар къызэрыщыкIуэр «блэкIам теухуа Iуэтэжхэр, щыхьэтлыкъхэр» егупсысыкIэм хуэкIуэущ. АтIэми, лъэхъэнэ жыжьэхэм къыщекIуэкIахэр, щыпсэуахэм щагъэхъахэр зэфIэзыгъэувэж IэщIагъэ-щIэныгъэм зэреджэ псалъэр алыджыбзэм къытехъукIащ, archaios — пасэрей, logos — егупсысыкIэ, зыгурыгъэIуэкIэ мыхьэнэхэр къызэрыкI Iыхьэхэуи зэхэтщ. Пасэми щыIащ БлэкIа мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, Урысейм и пащтыхьу щыта Пётр Езанэм унафэ ищIат езыр зи тепщэ къэралым и щIыналъэм зэман блэкIахэм и щIэину къыщагъуэт хьэпшыпыжьхэр и уардэунэм кърахьэлIэн зэрыхуейм ехьэлIауэ, и къыхуеджэныгъэр зыгъэзащIэ дэтхэнэми тыгъэ лъапIэхэмкIи егуэпэнуи къигъэгугъат. Телъыджэр аращи, ди лъэхъэнэм ипэ ита VI лIэщIыгъуэм ВавилоныщIэ зыхужаIэ къэралыгъуэм и пащтыхь Набонид абы ипэкIэ псэуахэм я кхъэхалъэжьхэр здэщыт щIыпIэхэм щIытI лэжьыгъэхэр щригъэкIуэкIырт, къыщагъуэтхэр зэрыфIэгъэщIэгъуэныщэм къыхэкIыу. ЗэраIуэтэжымкIэ «Археологием и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэу шыщхьэуIум и 15-м ягъэлъапIэм и къежьэкIэ хъуам теухуауэ гукъэкIыж зэхуэмыдэхэм дарохьэлIэ. Япэр къэзыIуэтэжар ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и академик Янин Валентинщ. Абы зэрыжиIэжымкIэ, Хэку зауэшхуэр иджыри къэмыхъеяуэ, Новгород къалэм и Iэшэлъашэм щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIырт. Зэгуэрым, шыщхьэуIум и 15-м, археолог ныбжьыщIэхэм языхэзыр щIэупщIат жаIэ, зыпэрыт IэнатIэр гъэлъэпIэным теухуауэ махуэ хэха алъандэрэ щIамыIэм ехьэлIауэ. Ар зэхэзыха нэхъыжьхэм ящыщ зым, зыкъызыкъуипхъуэтри, «нобэ хъунукъэ?» жиIат… КъыкIэлъыкIуэ гукъэкIыжым, пэжыр нэхъ зи тегъэщIапIэу дэ къэтлъытэм, и гугъу тщIымэ, ар пыщIащ совет археолог цIэрыIуэ Пассек Татьянэ 1947 — 1968 гъэхэм иригъэкIуэкIа щIэныгъэрылажьэ зекIуэ зыбжанэм. ЖытIэнур арамэ, а бзылъхугъэр тхыдэм и лъэхъэнэ жыжьэхэу неолитыр, энеолитыр, домбеякъыр зи тепщэу щыта лIэщIыгъуэхэр Европэм и Ипщэ-КъуэкIыпIэмкIэ зэрыщекIуэкIар джынымкIэ IэщIагъэлI нэсу дуней псом къыщызэдалъытат. КъызэраIуэтэжымкIи, къыдэлажьэхэм Пассек Татьянэ апхуэдизу пщIэ хуащIырти, къыхалъхьат ар къыщалъхуа шыщхьэуIум и 15-р Археологием и махуэу абдежым къыщыщIэдзауэ гъэувын зэрыхуейм ехьэлIауэ. Везувий Куэдыр щыгъуазэщ дыщыпсэу лъэхъэнэм (ди эрэм) ипэ ита 79-нэ гъэм Италие хытIыгуныкъуэр ижькIэрэ «зи унапIэ» Везувий мафIэбгым (иджырей Неаполь къалэм пэгъунэгъущ) ямылейуэ зыкъызэкъуихыу, магмэмрэ сахуэмрэ абы и Iэшэлъашэм къедза Помпеи къалэжь цIыкIур зэрыщIахъумэпауэ щытам. А Iуэхугъуэр лъапсэрых дыдэт абы пэгъунэгъуу бгъэдэса адрей жылэхэм я дежкIи. КъызэрекIуэкIам дытепсэлъыхьыжынщи, шыщхьэуIум и 24-м и пщэдджыжьыпэм цIыхухэм зэуэ гу лъатащ Везувий бгым Iуву щхьэщыгъуэлъхьа пшэ гуэрэн фIыцIэм. АфIэкIа хэмылъу, Iэгъуэблагъэр зэуэ кIыфIыбзэ къэхъуащ, уафэри, дыгъэр къыпхымыпсыжыфу, шынагъуэу зэщIэгъуэгъуащ. Щхьэнтэ хуэдэ гуэрхэр я щхьэм трамыпIауэ, цIыхухэр уэрамхэм къыдыхьэжыфыртэкъым, мафIэбгым къызыхиутIыпщыкI яжьэ пщтырымрэ уафэм дрипхъей мывэ зэщIэплъахэмрэ зыщахъумэн папщIэ. Везувий зи гугъу тщIы лъэхъэнэ жыжьэм ипэкIи мызэ-мытIэу къибыргъукIауэ щытащ. АбыкIэ щыхьэту къэувыфынущ щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэри, а щIыпIэм щыпсэуа лъэпкъхэм къызэранэкIа IуэрыIуатэри. Ауэ тхыдэм нэхъ къыхэнар а бгым шынагъуэ дыдэу зыкъыщызэкъуиха 79-нэ илъэсырщ. А гъэм псырэ пшахъуэ-мывэу къикъуэлъыкIа фIыцIагъэ абрагъуэр, зи пщтырагъыр градус 700-м нэблагъэр, Помпеи, Геркуланум, Стабии къалэхэмрэ абыхэм къедза къуа-жэ цIыкIу зыбжанэмрэ ящхьэщыгъуэлъхьащ. А къэхъукъащIэ шынагъуэм, зэрыхуагъэфащэмкIэ, цIыху мин 16-м щIигъу хэкIуэдащ. Археологие IэщIагъэ-щIэныгъэм и гугъу тщIынщи, Помпеи къалэр здэщыта щIыпIэм деж 1748 гъэм щрагъэкIуэкIа щIытI лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ, зи гугъу тщIы жылэжьыр, къэхъукъащIэ шынагъуэр абы зэрырихьэлIам хуэдэ къабзэу, къыщIагъэщыжауэ щытащ. Метр бжыгъэ и Iувагъыу зэтрипхъауэ щыта яжьэр зэбгратхъужа иужькIэ, археологхэм къагъуэтащ къалэдэсхэм ящыщу 40-м я хьэдэхэр. Абы къищынэмыщIауи, зэрыщыта дыдэм хуэдэу къыщIагъэщыжащ а лъэхъэнэ жыжьэм Помпеи къалэм иIа уэрамхэмрэ абыхэм тета унэхэмрэ. Зэуэзэпсэу къатепсыха псэзэпылъхьэпIэм цIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ хуэмыхьэзыру къызэрыщIэкIар къэхутакIуэхэм я нэгу къыщIэуващ. ЩIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, мафIэбгым гуэрэн фIыцIэу къызыхилыпщIыкIа гъуэзым километр 31-кIэ уафэгум зыщиIэтат, апхуэдизкIэ ар къарууфIэу икIи гуащIащэу къыщIэкIати. Яжьэрэ мывэу, Iугъуэрэ пшахъуэу зэхэткIухьа хьэжкурийр еруущэт, зэхилыпщIэмрэ зэхигъэткIухьымрэ гъуни нэзи зимыIэжым хуэдэт. А лъэхъэнэ жыжьэм мафIэбгыр къызэрикъуэлъыкIар зи нэгу щIэкIа, Урым къэралыгъуэжьым и политикэ лэжьакIуэ икIи тхакIуэ Плиний НэхъыщIэм а къэхъукъащIэр зыхуэдар мыпхуэдэу къритхэкIыжауэ щытащ: «Пшэ фIыцIэжь абрагъуэр псынщIащэу къыджьэхэкIуатэрт. Абы къыхэбзэщхъукI мафIэ бзийхэр уафэхъуэпскIым хуэбгъэдэнкIэри хэлът, ауэ куэдкIэ нэхъ гуащIэт икIи шынагъуэт…». Везувий иужьрей дыдэу «къыщылъэпIэстхъар» 1944 гъэращ. Абы лъандэрэ бгыжьым зегъэзэпIэзэрыт, «мамырыфэ зытрегъауэ». АрщхьэкIэ, щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, дэтхэнэ зы мафIэбгми зыкъыдимыгъащIэу зэман нэхъыбэ дигъэкIыху куэдкIэ нэхъ Iейщ — абдежращ абы къару нэхъыбэ дыдэ щызэхуихьэсыр. НэгъуэщIу къыжыпIэмэ, Везувий илъэс минитI ипэкIэ къибыргъукIауэ зэрыщытам нэхърэ нэхъ гуащIэжу зыкъызэкъуихыныр зыхуэIуа щыIэкъым. Апхуэдэ къэхъу хъужыкъуэмэ, ар а Iуащхьэм и Iэгъуэблагъэм щыпсэу цIыхухэм я дежкIэ шынагъуэ ин дыдэ къэзышэ Iуэхугъуэу къыщIэкIынри хэлъщ. АтIэми, дызэрыт лъэхъэнэм щыхьэт дызытехъуэр аращи, Помпеи уафэр «зи тепIэн» музей зэIухащ, еплъыну хуейхэм гъунэгъу зыхуащIыну хуиту. Ар ящыщщ, ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм къызэрилъытауэ, дуней псом пщIэ нэхъ зыщыхуэщIыпхъэ, тхыдэм и щIэин нэхъ лъапIэ дыдэхэм. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100593.txt" }
ЩхьэкIуэмыдэ Нуриет и ныбжьыр илъэси 100 ирокъу Мы махуэхэм и ныб-жьыр илъэси 100 зэрырикъур игъэлъэпIащ РСФСР-м, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я артисткэ, Мейкъуапэ щIыхь зиIэ и цIыху, «Адыгейм и щIыхь» медалыр япэу зыхуагъэфэщахэм ящыщ бзылъхугъэ зэчиифIэ ЩхьэкIуэмыдэ Нуриет Сэлим и пхъум. 1941 гъэм ГИТИС-р къэзыуха Нуриет и гъащIэ псор театрымрэ сценэмрэ щихьащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Илъэс 50-м щIигъукIэ роль 200-м щIигъу игъэзэщIащ абы. Сыт хуэдэ жанрри къэзыгъэIурыщIэф актрисэр хьэл зэмыщхь куэд зыхэлъ лIыхъужьхэм я образхэм тыншу ихьэфырти, гукъинэжу джэгуфырт. Комедиери драмэри зэхуэдэу фIыуэ къехъулIэрт. Ганорилья — Шекспир Уильям и «Король лир», Долли — Толстой Лев и «Анна Каренина», Настя — Горький Максим и «На дне», Розинэ — Бомарше Пьер и «Севильс-кий цирюльник» сымэ я ролхэр игъэзащIэу Нуриет утыку зэритар ноби ящыгъупщакъым республикэм исхэм. Бгъэдэлъ зэчиймрэ къыхиха IэщIагъэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ цIэрыIуэ ищIащ ЩхьэкIуэмыдэ Нуриет икIи театреплъхэм я лъагъуныгъэрэ Iэгуауэ инрэ зэи щыщIакъым. Зи гугъу тщIы актрисэм и зэчиймрэ зэфIэкIымрэ я закъуэкъым и цIэр тхыдэм къызэрыхэнар, атIэ гъуазджэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэмрэ театр щэнхабзэм куууэ зэрыхищIыкIымрэ нэсу игъэлъэгъуащ, щапхъэ, гъуазэ хъуащ. Сценэм щрихьэкI лэжьыгъэм нэмыщI Нуриет жылагъуэ IуэхукIи жыджэру къекIуэкIащ сытым дежи. Ар къалэ, хэгъэгу Советхэм я депутату щытащ, Мамырыгъэр хъумэнымкIэ хэгъэгу комитетым щылэжьащ. А къулыкъухэм щыпэрытми къалэн гугъухэр зэрызэфIихыфым, хуэныкъуэхэм гупцIанэу зэрахущытым, къелъэIухэм зыхуейхэр зэрахуищIэм я фIыгъэкIэ ЩхьэкIуэмыдэр фIыуэ ялъэгъуащ, ноби пщIэшхуэ хуащIу къокIуэкI Адыгейм и цIыхухэм. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100595.txt" }
Тхыдэм укIуэцIрыплъмэ Ди щIыналъэм исхэм мыгувэу ягъэлъэпIэнущ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъур. Зы цIыху гъащIэм и дежкIэ мымащIэ, атIэми зы лъэпкъыжь къикIуа гъуэгуанэм еплъытмэ, напIэ дэхьеигъуэм хуэбгъадэ а лъэхъэнэр гъэнщIауэ щытащ гугъуехькIи гуауэкIи, тыншыгъуэкIи дэрэжэгъуэ-кIи. Дызыхэт къэралым советхэм я властыр щыщагъэува илъэсхэр пэщIэдзэ хуэхъуащ илъэси 100 ирикъу ди къэралыгъуэр ухуэным. А псори зэхэщIыкIыгъуэу къаIуатэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ дэфтэрхэм. Абыхэм нэхъапэIуэкIэ щыгъуазэ зыщыхуэтщIауэ щытащ КъБР-м и Архив къулыкъущIапIэм иджырей тхыдэм и дэфтэрхэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм, абы и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа Iэщхъуэт Раисэ Мухьэмэд и пхъум (1948 — 2018) хуит къытхуищIа тхылъхэр къэдгъэсэбэпу. Дэфтэрхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, 1917 гъэм екIуэкIа революцэ зэщIэхъееныгъэхэм я ужькIэ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я пащхьэ къиува къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ я къэрал ухуэныгъэм и Iуэху зэрахуэныр. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм теухуауэ щытащ а илъэсым къызэрагъэпэщауэ щыта, Бгырыс лъэпкъхэм я I съездыр. Абы щаубзыхуат Кавказым и бгырыс зэкъуэтхэм я зэгухьэныгъэ икIи ар лъэпкъ-политикэ Iыхьэ щхьэхуэу къыщалъы-тащ, и Комитет Нэхъыщхьэмрэ гъэзэщIакIуэ органымрэ иIэжу. Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ къабгъэдэкIыу а Комитетым хагъэхьащ уэчылхэу Куэцэ Пщымахуэрэ Шаханов Басиятрэ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым и щIышылэм къащтауэ щытащ «ГуащIэрыпсэухэм я хуитыныгъэм и декларацэр». Абы ипкъ иткIэ Урысейр федеративнэ ухуэкIэм хуэкIуащ. Абы щыгъуэ ди къэралым фIа- щащ Урысей Советскэ Федеративнэ Социалистическэ Республикэ (РСФСР), и япэ Конституцэу 1918 гъэм и жэпуэгъуэм и 7-м къащтар и гъащIэ хабзэ нэхъыщхьэу. А зэман дыдэм Кировымрэ Орджоникидзерэ къыхалъхьауэ щытащ бгырыс лъэпкъхэр Тэрч автономнэ областу зэхыхьэну. Абы ехьэлIа унафэр къыщащтащ Тэрч областым щыпсэу лъэпкъхэм я съезду 1920 гъэм щэкIуэгъуэм и 17 — 18-хэм екIуэкIам. Апхуэдэу къэхъуащ Автономнэ Горскэ Советскэ Социалистическэ Республикэр. МазитI дэкIри, РСФСР-м и ВЦИК-м ар хабзэ лъабжьэ зиIэ къэрал къэунэхуныгъэу къилъытащ. Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ лъэпкъ щIыналъэ щхьэхуэу хыхьащ а республикэм. Ар лъэпкъ-къэралыгъуэ ухуэныгъэм и япэ лъэбакъуэт. 1921 гъэм накъыгъэм и 21-м Къэбэрдей окружной исполкомымрэ парткомымрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIа зэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщт Къэбэрдейр Горскэ республикэм къыхэкIыжу езым и къэралыгъуэ ихуэжыныр. Апхуэдэ Iуэхум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэу къалъытэрт, япэрауэ, щIыналъэм иIэ хуитыныгъэхэр къызэремэщIэкIыр, етIуанэрауэ, Урысей унафэщIхэм езым пыщIэныгъэ яхуиIэжмэ зэрынэхъ фIэкъабы-лыр. Апхуэдэу щIыпIэм игъуэта зыужьыныгъэми къигъэувырт нэхъ къэрал ухуэныгъэ лъагэ иIэну. Абы теухуауэ Сталинымрэ Къалмыкъ БетIалрэ телефонкIэ щызэпсалъэм жаIам щыщ Iыхьэ щахъумэ архивым. Абы итщ: «Кавбюром къыбгъэдэкI унафэу къэфлъытэ хъунущ Къэбэрдейр Автономнэ область щхьэхуэ хъуныр РСФСР-м и дежкIэ политикэ икIи хозяйственнэ ехъулIэныгъэ къызыпэкIуэну Iуэхугъуэу зэрыщытыр, — къыхигъэщащ Сталиным. — Къэбэрдейр Горскэ Республикэм къызэрыхэкIыжым къикIыркъым а республикэр зэпкърыщэщыжу. Ар дяпэкIи республикэу къанэ хъунущ, сыту жыпIэмэ Къэбэрдейм нэмыщI абы иджыри къыхонэ цIыху мелуаным нэс зыщыпсэу щIыпIэ зэхуэмыдэхэр…». Ди къэралыгъуэр зэфIэувэным и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхум ехьэлIа унафэ къыщащтат окрпарткомым и зэIущIэми. Абы зэритымкIэ, Къэбэрдейм и гуащIэрыпсэу-хэр политикэ, экономикэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ хуэхьэзырщ Урысей Федерацэм и зы Iыхьэ хъуфыну. Абы къыхэкIкIэ окрпарткомым къигъэуващ а Iуэхур Советхэм я съезду мэкъуауэгъуэ мазэм екIуэкIынум щызэфIахын хуейуэ. Апхуэдэуи хъуащ. Къэбэрдейм и Советхэм я IV съезду 1921 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 11 — 13-хэм щыIам Iэтауэ щытепсэлъыхьащ а Iуэхум. Абы кърихьэлIа делегати 140-м щыщу 94-р адыгэт, 39-р урыст, 7-р нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщт. Къэбэрдейм къэралыгъуэ иIэным теухуауэ зэIущIэшхуэм и утыкум цIыху 20 къыщыпсэлъащ. Къатхъэн Назир, Абазэ Данил сымэ жаIэрт Къэбэрдейм иухуэн хуейр мыобласту, атIэ республикэу, арщхьэкIэ ар иджыри пасэIуэу къыщалъытащ зэхуэсым икIи Къэбэрдейр автономнэ область щхьэхуэу Горскэ республикэм къыхэкIыныр игъуэ дыдэу, ар цIыхубэ лъэIуу зэрыщытыр жаIащ. А лъэхъэнэм Налшык зыгъэпсэхуакIуэ щыIэт Сталиныр. Абы съездым къыхуигъэхьа письмом итт: «Къуэш сэлам гуапэ фызох съездым кърихьэлIа делегатхэм. Си узыр къызэрыхъеям къыхэкIкIэ, фи лэжьыгъэм сыхэтыну Iэмал сиIэкъым, ауэ сэ гурэ псэкIэ сыфщIыгъущ икIи хуабжьу си гуапэщ Къэбэрдей щIыналъэ цIыкIур Урысейм и зы автономнэ Iыхьэ хъуну зэрыхущIэкъур. Лэжьыгъэ купщIафIэ фиIэну, хозяйственнэ IэнатIэхэм ехъулIэныгъэ щызыIэрывгъэхьэну сынывохъуэхъу. Сталин И.В.». Къэрал унафэщIым и апхуэдэ дэIыгъыныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэт ди щIыналъэм и дежкIэ. Абыи и лъэр нэхъри жан ищIауэ, Къэбэрдейм и Советхэм я IV съездым унафэ ищIащ РСФСР-мрэ ГССР-мрэ я пашэхэм Къэбэрдейм и гуащIэрыпсэухэм къабгъэдэкI лъэIукIэ — Къэбэрдейр автономнэ область ящIыну — зыхуагъэзэну, а Iуэхум теухуа доклад шэщIа абыхэм я пащхьэ илъхьэн хуейуэ. Апхуэдэ унафэр тэмэму икIи игъуэу къызэрилъытэмкIэ резолюцэ къищтащ РКП (б)-м и Налшык къалэ зэгухьэныгъэм и зэхуэсми. Апхуэдэ дэфтэрхэр хуагъэхьэзырат 1921 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м екIуэкIыну РКП (б)-м и ЦК-м и Кавбюром и Пленумым. Абы хэтащ Кировымрэ Орджоникидзерэ. Къэбэрдеймрэ Горскэ республикэмрэ я лIыкIуэхэм ящIа докладхэм тепсэлъыхьа нэужь, пленумым унафэ ищIащ Къэбэрдейр Горскэ республикэм къыхэкIыну. Унафэм итт: «РКП (б)-м и ЦК-м и Кавбюром, Къэбэрдейм и гуащIэрыпсэухэм я лъэIур, Къэбэрдейм и окрисполкомым, окрпарткомым, Къэбэрдейм и депутатхэм я съездым, РКП (б)-м и Налшык къалэ зэгухьэныгъэм къыщащта дэфтэрхэр и лъабжьэу, къелъытэ Къэбэрдейр Горскэ республикэм залымыгъэкIэ хэгъэтыныр къемызэгъыу». Къэбэрдейм и автономием ехьэлIа Iуэхугъуэхэм ВЦИК-м щытепсэлъыхьын мурадкIэ, 1921 гъэм шыщхьэуIум и 8-м Москва кIуащ Къэбэрдейм и лIыкIуэ гуп, Къалмыкъ БетIал я пашэу. ВЦИК-м и Президиумым 1921 гъэм фокIадэм и 1-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм унафэ къыщащтащ Къэбэрдей автономнэ областыр къызэгъэпэщыным теухуауэ: «1. Автономнэ Горскэ Социалистическэ Советскэ Республикэм РСФСР-м пыщIэныгъэ хузиIэ къэбэрдей лъэпкъым и автономнэ областыр къыхэгъэщхьэхукIын, мыпхуэдэ щIыналъэхэр, абыхэм къепха я мэзхэри хъупIэхэри я гъусэу: а) Бахъсэн щIыналъэ — къуажэхэр: Каменномост, Сэрмакъ, Ашэбей Ипщэ, Ашэбей Ищхъэрэ, Зеикъуэ, Къызбрун I, Куба, Шэрихьэт, Къэрэгъэш, Къызбрун III, Алътуд, Ших-Измайловскэ, Кыщпэк, Старэ Крепость, Къызбрун II, Къулъкъужын Ипщэ, Къулъкъужын Ищхъэрэ, Дзэлыкъуэкъуажэ, Бахъсэн, Крем-Константиновскэ, Черниговскэ къутыр, Матвеевкэ къутыр, Николаевскэ 2-нэ къутыр, Петропавловскэ; б) Налшык щIыналъэ — къуажэхэр: Налшык къалэ, Ново-Полтавскэ, Лашынкъей, Шэджэм I, Шэджэм II, Щхьэлыкъуэ, Нартан, Кэнжэ, Ново-Ивановскэ, Баксано-Курскэ, Вольнэ, Александровскэ лъэхъуэщыр; в) Аруан щIыналъэ — къуажэхэр: Старэ Шэрэдж, Аруан, Псыгуэнсу, Жэмтхьэлэ, Къэхъун, Аушыджэр, Старэ Урыху, Старэ Лэскэн, Лэскэн II, Урыху, Шэрэдж Ищхъэрэ, Аргудан, Пришибскэ, Котляревскэ, Александровскэ; г) Къэбэрдей цIыкIу щIыналъэ — къуажэхэр: Плановскэ, Курп Ипщэ, Дей, ХьэпцIей, Курп Ищхъэрэ, Арыкъ, Акъбащ, Неурожайнэ, Терскэ, Кизлярскэ, Гнаденбург, Раздольнэ, Сухотскэ къутыр. Къэбэрдей автономнэ областым и Советхэм я I съездыр екIуэкIыхукIэ, властыр IэщIэлъщ Революцэ комитетым. Абы и къалэнщ областым и Советхэм я I съездыр икIэщIыпIэкIэ зэхуишэсыну. А съездым хихынущ губерние исполкомым и хуитыныгъэхэр зиIэ ГъэзэщIакIуэ комитет. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ наркомымрэ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ наркомымрэ я пщэ илъщ Автономнэ Къэбэрдей областым и гъунапкъэхэр щаубзыхукIэ сэтей къэхъу Iуэхугъуэхэр ягъэзэкIуэжыну. Автономнэ Горскэ Социалистическэ Советскэ Республикэм къыхэкIыу Автономнэ Къэбэрдей областым хыхьа щIыпIэхэм я унафэр зэIэпыхыныр 1921 гъэм жэпуэгъуэм и 1 пщIондэ зэфIэгъэкIын». А гъэ дыдэм и щэкIуэгъуэ мазэм Къэбэрдей Советхэм я съезд екIуэкIам Къэбэрдей Советскэ автономнэ областым и щыIэныгъэр нэсу къызэригъэпэщащ. А зэхуэсым хэтауэ лIыщхьэхэм ящыщщ ВЦИК-мрэ РКП (б)-м и ЦК-мрэ хэт, Кавказ Ищхъэрэ дзэ щIыналъэм и командующэ Ворошиловыр, Езанэ шуудзэм и командующэ Будёный, Кавказ Ищхъэрэ дзэ щIыналъэм и Дзэ советым хэт Бубнов, Тэрч областым и дзэ комиссар Белянкович. Дыгъэгъазэм и 15-м РСФСР-м и ВЦИК-м деж щылажьэ Къэбэрдей представительствэ къызэрагъэпэщащ. Абы и къалэнт Къэбэрдейм и экономикэмрэ политикэмрэ епха Iуэхухэр къэрал къулыкъущIапIэ нэхъыщхьэхэм щыдигъэкIыну, щиубзыхуну. КъэунэхуагъащIэ областым и Iуэхухэр тэмэму зэтеублэныр гугъуехь куэд зыпылъ лэжьыгъэ инт. Абы сыткIи зыкъыщIигъэкъуащ къэралым. Ди архивым хэлъ дэфтэрхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, а зэманым зэхэкъутарэ зи цIыхухэри мэжэщIалIэу щыта Урысейм хуабжьу зыкъытщIигъэкъуащ, ди Къэбэрдей къэралыгъуэр лъэ быдэкIэ увын папщIэ. 1921 гъэм фокIадэм и 2-м Лениным Iэ щIидзауэ щытащ ди щIыналъэм ахъшэ сом мелуани 5 къызэрыхуаутIыпщыр зэрыт унафэм. Апхуэдэу Къэбэрдейм зэман кIэщIым къриубыдэу къыIэрыхьащ промышленнэ оборудованэхэр, мэкъумэш техникэ, жылапхъэхэр, цIыхубэр зыхуеину хьэпшып зэхуэмыдэхэр. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым и пэщIэдзэм балъкъэр лъэпкъри лъэIуащ Горскэ республикэм къыхэкIыну. 1922 гъэм щIышылэм и 16-м РСФСР-м и ВЦИК-м диIыгъащ балъкъэрхэм я лъэIур икIи РСФСР-м хыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ областыр къызэрызэрагъэпэщымкIэ декрет къищтащ. А унафэр занщIэу гъэзэщIа хъуакъым, сыту жыпIэмэ лъэпкъитIым я зэгухьэныгъэм и мардэхэмкIэ щыIэ Iуэху еплъыкIэхэр зэтехуэртэкъыми. Абы ехьэлIа зы гупсысэр щаубзыхуар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Советхэм я I съезду 1922 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м екIуэкIарщ. Къэбэрдей, балъкъэр лъэпкъхэм я дежкIэ тхыдэ мыхьэнэшхуэ иIэт къэралыгъуэ зэрагъуэтам. Къэралым и кIуэцIкIэ щагъуэта увыпIэмрэ гулъытэмрэ нэхъри къаIэтат цIыхубэм яхэлъ жыджэрагъыр, абыхэм я къарури зэфIэкIри гъащIэщIэр ухуэным адэкIи хуиунэтIат. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Советхэм я I съездым хэтахэм къабгъэдэкIыу Лениным хуагъэхьа хъуэхъу тхылъым итт Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэр цIыкIуми, РСФСР-м и экономикэм, щэнхабзэм заужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIыфын Iыхьэ ину къызэрыщIэкIынумкIэ псалъэ быдэ зэратыр. УзэплъэкIыжмэ, къыжыIапхъэщ ди республикэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэр гугъуехьышхуэхэмкIэ, ехъулIэныгъэ лъагэхэмкIэ, социально-экономикэ текIуэныгъэ инхэмкIэ гъэнщIауэ зэрыщытар. Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ зы автономиеу зэрызэгухьам Iэмал къитащ щIыналъитIми я экономикэ лъэщагъыр, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр зэуIуу къэгъэсэбэпынымкIэ, псом я щхьэжыращи, лъэпкъитIым я цIыхубэр гъащIэщIэр ухуэным зэгъусэу, я дамэпкъ зэкъуэту яужь ихьащ. 1922 — 1925 гъэхэм хэхауэ дриплъэнщи, ди щIыналъэм къэралыгъуэ щигъуэта а япэ илъэсиплIыр зы лIэщIыгъуэ псо ирикъуу къып-щохъу. Гур хохъуэ, ахэр къэзыIуатэ дэфтэрхэм уащыхэплъэкIэ. Япэу къызэIуаха промышленнэ IэнатIэхэм ящыщщ Налшык, Прохладнэ, Бахъсэн къалэхэм щаутIыпщауэ щыта чырбыш-кхъуэщын заводхэр. Абы къыкIэлъыкIуащ Май къалэм щаухуа щIэп заводыр, Налшык дащIыхьа гидроэлектростанцыр, нэгъуэщIхэри. Заужьырт щIэныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, лъэпкъ литературэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм. 1922 гъэм Налшык къыщызэIуахащ мэкъумэш IэщIагъэхэм щыхурагъаджэ техникум. ИужькIэ къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокуратурэр, къызэIуахащ совпарт школ, Ленин и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIу, педтехникум. Долинск лэжьэн щыщIидзащ цIыхуи 100-м зэуэ зыщагъэпсэхуфыну санаторэ. Налшыки областым и нэгъуэщI щIыпIэхэми жылагъуэ зэгухьэныгъэм зыщаужьырт. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бзылъхугъэхэм я I съезд, партымрэ комсомолымрэ я конференцхэр екIуэкIащ, япэ пионер гупхэр къэунэхуащ, егъэджакIуэхэм, Iэщыхъуэхэм я совещанэ инхэр къызэрагъэпэщащ, бгырыс бзылъхугъэхэм я япэ клуб къызэIуахащ. 1923 гъэм Налшык къыщыдэкIащ адыгэбзэкIэ тха япэ тхылъыр, иужькIэ яубзыхуащ адыгэ, балъкъэр лъэпкъхэм я тхыбзэр, адыгэбзэм, балъкъэрыбзэм я алыфбейхэр къыдэкIащ. Спортымрэ физкультурэмри зыужьыныгъэшхуэ щагъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. 1923 гъэм Налшык япэу щекIуэкIащ «Физкультурникым и махуэр». КъыкIэлъыкIуэ илъэсым абы къыщызэрагъэпэщащ япэ областной спорт олимпиадэ. ФизкультурэмкIэ иIэ зыужьыныгъэхэмрэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и облсоветым Кавказ Ищхъэрэ дзэ округым къыбгъэдэкI саугъэт 1925 гъэм къыхуагъэфэщауэ щытащ. ЩIыналъэм зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэм тепсэлъыхьырт 1922 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс зыбжанэкIэ къыдэкIа «Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я къэщIэрэщIэжыныгъэ» политико-экономикэ икIи литературэ журналыр. Апхуэдиз ехъулIэныгъэр зыIэрызыгъэхьэфар фэрэ дэрэ дяпэ ита ди нэхъыжьхэрщ, ди лъэпкъэгъу гуащIафIэхэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр щызэфIэувэ лъэхъэнэм абыхэм зэрахьа лIыгъэ иным щыхьэт тохъуэ абы и къэрал ныпым щылыда дамыгъэ лъапIэхэр: Лениным и ордену 2, Жэпуэгъуэ революцэм и орден, Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и орден. Ахэр ди республикэм хуэфащэ дыдэу къратащ. Илъэсхэр блэкIащ. Абыхэм я гъусэу тхыдэ гъуэгуанэ къикIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми. Къэралым и цIыху псоми я гъусэу абы иухуащ гъащIэщIэр, иужькIэ, ар ихъумэу, пэщIэтыфащ фашизмым. Лъэпкъхэр, цIыху щхьэхуэхэр кIуэцIрыкIащ политикэ репрессиехэм, зэхъуэкIыныгъэхэм я илъэсхэми зихъумэфащ. Сыту пIэрэ-тIэ апхуэдиз гугъуехьым ди лъахэгъухэр къезыгъэлыфар? Сэ къызэрысщыхъумкIэ, ар ди лъэпкъ хабзэхэмрэ нэмысымрэщ, щэнхабзэмрэ псэ къабзагъэмрэщ. Лъэпкъ 60-м щIигъу, зылI и быну, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу щыпсэуащ ди щIыналъэм, я анэдэлъхубзэр зырызми, я гупсысэр зым хуэунэтIауэ. Иджырей лъэхъэнэм, политикэ, социально-экономикэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ Iуэхугъуэшхуэр ди республикэм щыщекIуэкIым, мыхьэнэшхуэ иIэщ япэ итахэм къытхуахьа текIуэныгъэхэр тлъытэу, ди къэралыр, дыщалъхуа щIыналъэр нэхъри ефIэкIуэным ди IуэхущIафэхэр хуэдгъэпсу, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я бзэр тIурылъу абы ис лъэпкъ псори дызэдэпсэуным. ИтIанэщ фIыуэ тлъагъу ди Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр нэхъри нэхъ лъэщыж щыхъунур. Зыгъэхьэзырар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100598.txt" }