text
stringlengths
11
353k
meta
dict
ШРИ РАМАНА МАХАРШИ (1879-1950): ЦIыхум насыпыр хуэщщ, ар къыпщыщIым елъытакъым. Насып мыкIуэдыжыным утеIэбэн папщIэ, уэ езыр узищIыс дыдэр къэпщIэн хуейщ… Уи СЭ-р зэрыщымыт гуэру къызэфIэбгъэщIу насыпым ухущIэкъуныр благъуэм и тхым утесу псым узэпрысыкIыну ухуежьэным ещхьщ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "tsitatyramana.txt" }
Иужьрей мамлюк сулътIаныр уэсмэнхэм зэрапэщIэтар Мамлюк сулътIанхэм яухуа Мысыр къэралыгъуэшхуэм кIуэдыжыпIэ хуэхъуа Мардж Дэбикъ зауэзэрылIыр иужьрей мамлюк сулътIанхэу Къанщауэ Гъуррэ Тумэнбейрэ я цIэхэм епхащ. А тхыдэ Iэхьэм зэзэмызэ дытепсэлъыхьми, хэтщIыкIыр зэрымащIэ дыдэр и щхьэусыгъуэ къыщIэкIынщ зи цIэ къитIуа лIы щыпкъэхэм я хъыбархэр иджыри къэс ди блэкIами ди нобэми зэрахуэфэщэну щIыхэмытым. Санкт-Петербург дэт университетым и КъуэкIыпIэ факультетым и доцент, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Илюшинэ Миланэ и диссертацэр мамлюк сулътIанхэм ятриухуащ. Ар илъэс бжыгъэ хъуауэ йолэжь хьэрыпыбзэ Iэрытххэу Берлин дэт къэрал тхылъ хъумапIэм щIэлъхэм. Илюшинэм утыку кърихьа лэжьыгъэ щхьэпэ дыдэхэм ящыщщ «Иужьрей мамлюк сулътIаныр уэсмэнхэм зэрапэщIэтар». Тумэнбей тхыдэм къызэрыхэнар «мамлюккIэ» зэджэ пщылI-зауэлIхэм епщыкIущанэ лIэщIыгъуэм къызэфIагъэувэу илъэс 250-кIэ дунейм тета къэралыгъуэшхуэм и иужьрей тепщэущ. Мазэ зыбжанэщ абы унафэр зэрыIэщIэлъар. Тумэнбей сулътIан щыхъуам, уэсмэнхэм къращIылIа зэзауэшхуэм мамлюкхэр къыщрагъэкIуэтри мысыр тепщэгъуэм куэд зэримыкIужынур гурыIуэгъуэ хъуакIэт. ТIуми хэдэгъуейуэ, сулътIан Тумэнбей хэкIыпIитI къыхукъуэкIат: е зэрыхэкIуэдэным хуэхьэзыру псэзэпылъхьэпIэм Iуту зэуэн, е икIуэту и пщIэри и гъащIэри къыхуэнэн. ЩIэныгъэлIхэм иджыри къэс гулъытэ хуащIакъым 1516-1517 гъэхэм Мамлюк къэралыгъуэр мылъкурэ дзэ хуэIухуэщIэ и лъэныкъуэкIэ зэрыта щытыкIэм. Абыхэм уахэплъэмэщ гурыIуэгъуэ щыхъур Тумэнбей кIуэдыжыпIэм хуэзыша щхьэусыгъуэхэри мамлюкхэмрэ уэсмэнхэмрэ зэрызэпэщIэта щIыкIэм и пэжыпIэри. Илюшинэ Миланэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, Санкт-Петербург дэт университетым и КъуэкIыпIэ факультетым и доцент. Тыркухэмрэ мамлюкхэмрэ зэрызэфIэнамрэ къаугъэр зэрекIуэкIамрэ Iэхьэ зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэу зэхэт мамлюк къэралыгъуэм щIыпIэшхуэ иубыдт, Мысырыр нэхъыщхьэу, мамлюк сулътIанхэм я хэщIапIэ Каир абы и щыхьэру. Лъэпкърэ динкIэ зэхуэмыдэ, щIыуэпс къызэрымыкIуэ зиIэ Сириер щIыналъибл хъут: Дамаск (Щам), Хьэлэб, Триполи, Хьэмэ, Сэфэд, Газэ, Кэрэк. Дэтхэнэ зы щIыналъэми сулътIаным и лIыкIуэ щытепщэт, абы къулыкъукIэ къыкIэрыхутэкъым быдапIэм и унафэщIыр, - тIури сулътIаным и унафэ щIэтт. ЩIыналъэм къыщыкъуэкI Iуэху блэкIхэр зэфIэзых лIыкIуэмрэ дзэм и Iуэхухэр зезыгъакIуэ быдапIэм и тетымрэ пашэныгъэр зэдаугуэшу зым и жыIэм адрейм ейр тIасхъэ щIэхъукIыху, сулътIанри пэрыуэншэу щIыналъэм кIэлъыплъыфт. Сирием щызекIуэ унафэм IэкIуэлъакIуэу ухэIэбэным мэхьэнэ иIэт, сыту жыпIэмэ, къэралыгъуэм мы и Iэхьэрат зэрыпхъуакIуэхэр нэхъ зэбгъэрыкIуэрейри тепщэгъуэм пэщIэувэну зи мурад мамлюкхэм нэхъыбэрэ зыкъыщаIэтри. Сириемрэ Мысырымрэ нэмыщI, мамлюк тепщэгъуэм и нэIэ щIэтт Анэдолэм, Баркэ, Нубием, Йемен, Хиджаз щIыналъэхэм щыщ Iэхьэхэр. ЕпщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iэхьэм кIуэ пэтми нэхъ зызыубгъу Уэсмэн империемрэ Мамлюк къэралыгъуэмрэ я зэхуакум гъунапкъэу дэт Анэдолэм щыщ эмиратхэм я мэхьэнэми хэхъуат. Къанщауэ Гъуррэ Тумэнбейрэ я тепщэгъуэхэмрэ уэсмэн империем Мысырыр зэриубыда щIыкIэмрэ ятеухуауэ хьэрыпыбзэкIэ къыдэкIа тхылъхэм ящыщу мэхьэнэ нэхъ зиIэу лъытапхъэщ шэрджэс мамлюкхэм къахэкIа, къулыкъущIэ хэIэтыкIахэми дзэзешэ цIэрыIуэхэми я нэIуасэу щыта тхакIуэ Ибн Ийас Аль-Хьэнэфий Мухьэмэд ибн Ахьмэд и «Удз гъэгъа телъыджэхэр…». Мамлюкхэмрэ уэсмэнхэмрэ зэрызэпэщIэтам и тхыдэмрэ япэрей уэсмэн-мамлюк зауэмрэ джынымкIэ щIэгъэкъуэн мэхъу 1995 гъэм «Бриль» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «КъуэкIыпIэ Гъунэгъум тепщэныгъэр зэрыщызэпаубыдар. 1485-1491 гъэхэм екIуэкIа мамлюк-уэсмэн зауэр» зи фIэщыгъэ, Хар-Эль Ш. и лэжьыгъэр. Уэсмэн тетыгъуэм хьэрып къэралхэр къызэризэуам и тхыдэр гунэсу къыщыгъэлъэгъуащ 1984 гъэм Иванов Н. А. Мэзкуу къыщыдигъэкIа и тхылъым. ЕпщыкIуплIанэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iэхьэм щегъэжьауэ уэсмэнхэр щIэгъэхуэбжьауэ хущIэкъут я къэралыгъуэм и гъунапкъэхэм зрагъэубгъуным, щIыналъэщIэ яубыдын папщIэ Iэмалу щыIэр къызэрагъэщхьэпэным иужь итхэу. Европэр емынэ узым ирилъэсыкIат; хэкIуэдэжыным нэса Византие къэралыр сэрейм щекIуэкI зэрызехьэхэмрэ къэрал кIуэцI къаугъэхэмрэ къарууншэ ящIат; Генуемрэ Венециемрэ зэныкъуэкъу зэпытти, зэгуэхьэу уэсмэнхэм хы щIыIум щебгъэрыкIуэфтэкъым. Ауэ тыркухэр чыристан щIыналъэхэм ятеуэми, мамлюк сулътIанхэм муслъымэн хэкухэм хуащI пщIэр я тхыгъэхэм къыщыхагъэщыху, Каир дэс тепщэгъуэм ахэр иджыри зыхуэсакъын хуей бийуэ къилъытакъым. Iуэхум зыщихъуэжар тыркудзэм къуэкIыпIэмкIэ иунэтIа нэужьщ. ЗэхущытыкIэр зэрыщытыпхъэм зэрытемытыр уэсмэн лIыкIуэр дипломатхэм я хабзэм щебэкъуа махуэм къыщIэщащ. 1464 гъэм сулътIан Хьушкъэдэмым и пщIантIэм къекIуэлIа тырку лIыкIуэм бысымым и пащхьэм зыщигъэщхъыу щIым ба хуищIын щимыдэм, абы иризэгуэпа Хьушкъэдэм Мехмед ЕтIуанэм лIыкIуэ хуигъэкIуэжакъым. Я унафэр щыпхыкI щIыпIэхэм зрагъэубгъуным зэрыхуэпабгъэр нэрылъагъуу, хуэм-хуэмурэ къызэщIэплъэ зэпэщIэтыныгъэм уэсмэнхэр кIуэ пэтми нэхъ гуащIэу къыхэувэн щIадзат. Арат и хьэлыр лъэпкъыщIэхэмрэ щIыналъэщIэхэмрэ зыIэщIилъхьэныр зи нэрыгъ импер гупсысэкIэм. Мамлюкхэм псори езыхэм зэрызэтраухуам хуэдэу къызэрагъэнэным иужь итхэт. ИужькIэ гурыIуэгъуэ хъуащ абыхэм ящIа псори уэсмэнхэм я IэбэкIэм щхьэхуимыту зэрыпэджэжа жэуапу зэрыщытар. Япэ уэсмэн-мамлюк зауэм щыщIидзар 1486 гъэрщ. Зэхэуищым мамлюкхэр щытекIуа нэужь, 1491 гъэм мамырыгъэкIэ зэгурыIуахэщ. Уэсмэнхэм япэщIэта Къаитбей 1496 гъэм дунейм ехыжат. КъыкIэлъыкIуэ илъэситхум емынэ узым иунэщIа Каир сулътIанитху, зым иужьым адрейр иту, щызэрахъуэкIащ. 1501 гъэм тепщэгъуэр зыIэрыхьа, Къаитбей и мамлюкыу щыта Къанщауэ Гъурщ цIыхубэ гъащIэр зэтезыгъэувэжыфар. Уэсмэнхэм апщIондэху 1486-1491 гъэхэм яфIэкIуэда къарур зрагъэгъуэтыжри, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щрагъэкIуэкI зауэхэр яублэжат. Мамлюк сулътIанхэм я къарылыгъуэм нэмыщI абыхэм иджыри япэщIэтт епщыкIуплIанэ лIэщIыгъуэм Ираным къыщыунэхуа сэфэуийхэм я шиит къэралыгъуэри. 1514 гъэм уэсмэнхэм сэфэуийхэм я дзэр зэтракъутэри фокIадэм и пэм Тебриз дэхьауэ щытащ. Уэсмэнхэр зыфIимыгъэнэн папщIэ лъэкI къэзымыгъанэ Къанщауэ Гъур шиит-сэфэуийхэм къащхьэщыжыну фIэигъуакъым. Ауэ хуэм-хуэмурэ сулътIан къэралыгъуэм и гъунапкъэхэм хуэкIуатэ Сэлим и бийр бзаджэу игъэбэлэрыгъащ. 15I6 гъэм и шыщхьэуIум уэсмэнхэр теуащ мамлюк къэралыгъуэм и унафэ щIэт Сирием. А гъэ дыдэм, шыщхьэуIум и 24-м, Хьэлэб и ищхъэрэкIэ къыщылъ Мардж Дэбикъ губгъуэм уэсмэнхэм мамлюкхэр щызэтракъутэри Къанщауэ Гъур зауэ губгъуэм щыхэкIуэдащ. (Хуэзыгъэфащи щыIэщ, сулътIаным, зэрытемыкIуэнур къыщищIэм, щхъухь ирифауэ). Тумэнбей сулътIан зэрыхъуа щIыкIэр Мысырым тепщэу щыщыта мамлюк сулътIанхэм я сатырым плIыщIрэ ебланэу къыщокIуэ Тумэнбей. Ар къызыхэкIамрэ къыздикIамрэ тхыдэджхэр IупщIу тепсэлъыхькъым. ЯщIэр ар 1473 гъэм дунейм къызэрытехьамрэ Къанщауэ Гъур и благъэу, и къуэш-шыпхъу быну зэрыщытамрэщ. Къанщауэм ар къищэхуу иужькIэ, мамлюкхэм я деж зэрыщыхабзэу, хуит ищIыжауэ ятх. Тумэнбей «тибак» жыхуаIэ мамлюк щIалэхэр щагъасэ еджапIэр къиухащ, и къулыкъум амир джэмдаркIэ еджэу. Лэжьэн зэрыщIидзар сулътIаным и Iэпыдзлъэпыдзущ. ИужькIэ ар пщIым я пашэ, зэман дэкIри – плIыщIым я пашэ хъуащ. КъыкIэлъыкIуэу абы къыIэрыхьащ сулътIаным и бгъуэщIэс нэхъыщхьэм и IэнатIэр, итIанэ сулътIаным и дэфтэр зехьэпIэм и тету ягъэуващ. Тумэнбей тепщэ Iэзагъ къызэрымыкIуэ къыкъуэкIат. Куэд дэмыкIыу абы IэщIалъхьащ щIыхэр, унэхэр, унэлъащIэхэр, Iэщэ-фащэхэр, цIыхур зышэс-зэрызекIуэ псэущхьэхэр, сулътIаным и щакIуэ хуэIухуэщIэхэмрэ макъамэ Iэмэпсымэхэмрэ. Абы къыкIэлъыкIуэу Къанщауэ Гъур Тумэнбей къалэн щищIащ Мысырым и мэкъумэш Iуэхухэмрэ псы къыщIэшыным епха лэжьыгъэхэмрэ я унафэр. Абыхэм къадэкIуэу лъэмыж ухуэныгъэхэм, псыIэрышэхэм, щIы къэзыпщхэм, Каир гъавэр къэзышэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм кIэлъыплъынри Тумэнбей и пщэ къыдэхуащ. Абы и нэIэ щIэтт «кашифкIэ» зэджэ лIыщхьэ нэхъыщхьищыр: Мысыр Ипщэм и унафэщIымрэ Ищхъэрэм и унафэщIитIымрэ. СулътIаным и благъэ щIалэм зэ закъуи гурыщхъуэ зыхуригъэщIакъым тепщэгъуэм епцIыжын мурадкIэ, икIэм абы аргуэру зы къулыкъу къыIэрыхьащ: Къанщауэ Гъур къалащхьэм дэкIын хъумэ, цIыхубэр щыгъуазэу Тумэнбей езым и пIэкIэ къигъанэт. Тумэнбей хуитт эмир нэхъыщхьэхэм къулыкъу яритыну е ящхьэщихыну, хэхыпщIэхэри IэщIэлът. Шэч хэлътэкъым Къанщауэ Гъур 1516 гъэм уэсмэнхэм езэуэну Сирием щыкIуэм щыгъуэ, къыщыщIIамэ, езым и пIэ къиувапхъэр Тумэнбейуэ къызэрилъытам. Мардж Дэбикъ деж мамлюкыдзэр щызэтракъута нэужь, Каир къыдэна эмирхэм Къанщауэ Гъур и уэсятым тету Тумэнбей абы и пIэкIэ хахат, ауэ езы Тумэнбей махуэ щэ ныкъуэкIэ идакъым къэрал унафэр и пщэ дилъхьэн. СулътIан тепщэгъуэм и щIыналъэхэр фIэкIуэдат, дзэм зыри къыхэнэжатэкъым. КъинэмыщIауэ, Тумэнбей имыщIэу щыттэкъым мамлюкхэр зэрызэмыакъылэгъур, Сирием кIуа дзэр зытекIуэдэжар арат. Ар егупсыс къыщIэкIынт езым имытелъхьэ эмирхэм, Каир къызэрыдыхьэжу, я Iэщэр къытраубыдэнкIи зэрыхъунум. Iуэхур шынагъуэу зэхэзэрыхьыпат. Иужьым сэрейм зи нэIэ тет дин щIэныгъэлIхэм я деж къыщекIуэкI хабзэрати: «СулътIан мыхъумыщIэм и унафэм илъэс плIыщIкIэ ущIэтмэ нэхъыфIщ, зы сыхьэткIэ унафэншэу укъанэ нэхърэ» жаIэри, Тумэнбей унафэр егъэзыгъуэкIэ кърагъэщтащ. 1516 гъэм жэпуэгъуэм и 11-м Тумэнбей сулътIан хъуащ. Iуэхум хъалиф Мутэуэккил Ещанэр хэтыну Iэмал щыIакъым, - ар уэсмэнхэм гъэру яIыгът. Тепщэ хъуагъащIэ сулътIаныр хабзэм тету зэрагъэлъапIэм емыщхьу екIуэкIащ Тумэнбей и лъэтеувэр: дыжьын бзу зытет тепхъуэри, дыжьынкIэ гъэщIэрэщIа уанэри, дыщэпскIэ хэдыкIа шы тепхъуэри сулътIаныщIэм папщIэ сэрейм и хъумапIэхэм къыщIахакъым. Тумэнбей Къанщауэ Гъур и телъхьэхэм фIыкIэ ядекIуэкIыну хуежьащ, тепщэгъуэм и къулыкъущIэхэри дзэзешэхэри зэрихъуэжаишхуэ щымыIэу, итIанэми къулыкъу къызыхуигъэна эмир псоми абы и лъэныкъуэ къащтакъым. Уэсмэнхэр къатеуэн шынагъуэ зэрыщыIэм къыхэкIыу, сулътIаныр зэрыхъукIэ къэралкIуэцI къаугъэ къызэримыгъэхъеиным иужь зэритыр губзыгъагъэт, ауэ иужькIэ къэхъуахэм къагъэлъэгъуащ езы Тумэнбеи мамлюк тепщэгъуэри абыкIэ хъума зэрымыхъуар. Тахътэмрэ щхьэпылъапIэмрэ я зэхуакум 1516 гъэм и дыгъэгъазэм мамлюкхэм Каир къалэбгъум деж уэсмэнхэм ящыщ зы гуп къыщаубыдащ. Езыхэм зэрыжаIэмкIэ, ахэр Тумэнбейрэ мамлюк эмирхэмрэ тхыгъэ къахуэзыхьа Сэлим Езанэм и лIыкIуэхэт. ТкIийуэ щапкърыупщIыхьым, наIуэ къэхъуащ зауэлI щэ ныкъуэ зыщIыгъу уэсмэн лIыкIуэм мамлюк хъумакIуэхэм гу залъримыгъатэу заблригъэшын щхьэкIэ, къумырысхэр къигъэщхьэпэну зэрыхэтар. Ахэр блэзышыну хэтахэм зы мамлюк эмири къахэкIащ. Гу къылъамытэу Каир дэхьэну зэрыхэтами, мамлюк эмирхэм тхыгъэ гуп къыхурагъэхьами гурыщхъуэ яригъэщIащ къаубыдахэр лIыкIуэ хуэдэу зызыщI, телъхьэ яхуэхъун къэзылъыхъуэ тIасхъэщIэххэу. Арати, уэсмэн лIыкIуэхэр псалъэмакъ куэд хэмыту сулътIаным и дэфтэр хъумапIэм яшэ, Iуэхур нэгъэсауэ зэхагъэкIыху щаIыгъыну. Уэсмэн лIыкIуэхэм я пашэр пщIантIэм зэрыдашэу, шым къепсыхыу бысымым сэлам ирихыну унафэ хуащI. Ауэ уэсмэн лIыкIуэм ар имыдэу хъущIэн щIедзэ, и маисэр кърепхъуэтри къыбгъэдэт мамлюкхэм къахэзэухьу хуожьэ. Апхуэдэу щыхъум, канцелярием и унафэщI эмир Iэлан лIыкIуэм и Iэщэр пщIэхахыну унафэ ещI, лIыкIуэхэм я пашэри абы и гъуса уэсмэн зауэлIхэри ярегъэубэрэжьри ирегъэгъэтIыс. Куэд дэмыкIыу хэIущIыIу мэхъу ищхьэкIэ зи гугъу тщIа гупым щыщу къалэм иджыри уэсмэн зауэлI плIыщI зэрыдэтыр. ТIасхъэщIэххэм зэрадэIэпыкъуам щхьэкIэ, абыхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуа къумырыситIыр яукI. Мамлюк нэхъ гуащIэхэм «лIыкIуэхэр» дэфтэр хъумапIэ пщIантIэм щыдэхьэм зэтраукIэнути, эмир Iэлан яхуимыдэу, ягъэтIысахэр езым и нэIэ тету ирегъэхъумэ. Къэхъуар зэрызэхихыу, Тумэнбей лIыкIуэхэм яIэщIэлъа тхыгъэхэр къыхуахьыну унафэ ещI. Сэлим Езанэм мамлюк сулътIаныр къыхуриджэт езым и унафэр къабыл ищIыну, и цIэр мэрем хъутIбэхэм щагъэIуну, ахъшэ къыдагъэкIхэми тратхэну. «Си лIыкIуэу ув, - къыхуитхырт Сэлим Тумэнбей. Уэ – Газэрэ Мысырымрэ я зэхуаку дэт щIыналъэр къыплъысу, дэ – Сириемрэ Евфратрэ я зэхуакур». И гупыжыр къабыл ямыщIмэ, Сэлим Мысырым дэхьэу зы адыгэ къыдимынэу зэтриукIэну жиIэт. Тумэнбей абы къигъэгубжьри, уэсмэн лIыкIуэхэм зы жэуапи яIэрыхьакъым. АпщIондэху Сэлим Езанэм Сирием къалэшхуэу дэтхэр иубыдри Газэ деж къыщыувыIат. Газэ щыIэ мамлюк комендантым мызауэу зитыну зигъэхьэзыртэкъыми, Каир дэIэпыкъуэгъу къыхурагъэкIыну лъэIуащ. Я зы Iэхьэр иджыри еджапIэр къэзымыуха зауэлI ныбжьыщIэхэу, мыдрейхэр пщылI фIыцIэрэ хьэпсым кърагъэкIыжа щIэпхъаджащIэхэу, Тумэнбей зауэлI минипщI ерагъыу зэхуешэсри еутIыпщ. Фоч зыIыгъ лъэсыдзэр пхъэ гув щэщIым ирагъэзэгъат. Дзэм емыщхь а тхьэмыщкIэ гупым унафэщI яхуэхъун хуей эмирхэм иратын «тегъэгушхуапщIэ» къызыхэкIын ахъшэ щыIэххэтэкъым. Iуэхур зыIутрат: Къанщауэ Гъур Сирием щыкIуэм мысыр хъарзыналъэм мылъкуу илъыр здишат. Япэрауэ, тахътэм и унафэр езыхэм зэраIэщIэлъым и щыхьэту, мамлюк сулътIанхэр зэман кIыхькIэ къэтыну щыхьэрым щыдэкIкIэ хъарзыналъэри хъэлифри здыщIагъу я хабзэт: зыгуэркIэ сулътIаным пэщIэувэн къыкъуэкI хъумэ, ахъшэм - дзэр, хъалифым - унафэр къахуигъанэт. ЕтIуанэрати, Къанщауэ Гъур Сирием щыIэ и лIыкIуэхэмрэ цIыхубэмрэ къахуэпэжын папщIэ гулъытэ яхуищIыну и мурадт. СулътIаным и лъэщагъымрэ абы и сэрейр зэрызэщIэлыдэмрэ наIуэ къэхъун хуэдэу, Сирие зекIуэр зекIуэ ехьэжьа ящIыну загъэхьэзырт. СулътIаным и хъугъуэфIыгъуэр махъшэ щэ ныкъуэм яшэт, зыгуэрхэм зэрыжаIэмкIэ, яхь мылъкур динар мелуаным нэблагъэу. Эмир куэдми ахъшэшхуэ къыздащтат. Къанщауэр иджыри гугъэт уэсмэнхэм емызауэу Iуэхур игъэзэкIуэжыфыну. Сэлим мамырыгъэкIэ гурымыIуэфу, мамлюкыдзэм зауэм зыхуигъэхьэзырын хуей щыхъум, хъарзыналъэмрэ эмирхэм я мылъкумрэ Хьэлэб пэгъунэгъу чэщанэм щIалъхьат. Дэбикъ деж къыщыхагъэщIа нэужь, Хьэлэб и тетым къалэр мызауэу итри мамлюк сулътIан къэралыгъуэм и мылъкури эмирхэм я ахъшэри Сэлим Iэрыхьат. Тумэнбей дзэщIэ зэригъэпэщыну хуежьэпэнуми, езым и мылъкум фIэкIа нэгъуэщI бгъэдэлътэкъым. Хъарзыналъэм, Ибн Ийас зэритхыжымкIэ, «зы динари зы дирхьэми илъыжтэкъым». Улахуэ зрамыт мамлюкхэм зекIуэ мыкIуэн щхьэкIэ сыт хуэдэ щхьэусыгъуэри къагъэсэбэпт. Къанщауэ Гъур и зауэлI щIалэхэми, мамлюкыдзэм куэд щIауэ хэт зауэлIхэми (абыхэм нэрыбгэ къэс динари 130-рэ кърамытауэ замыгъэхъеину жаIэт) сулътIаным и дамэгъухэми Тумэнбей чэнджэщ иратт IэмалыншагъкIэ ящIэ хабзэ хэкIыпIэхэм хуэкIуэу дзэ зэригъэпэщыну. Ауэ Тумэнбей цIыхухэм я мылъкуми, тхьэмыщкIэхэм я Iэхьэми хэIэбэн идакъым, хэхыпщIэщIи игъэувакъым. «Унафэр сэ сIэщIэлъыху, залымыгъэкIэ зыми зыри къеIысхынукъым», - иукъуэдият сулътIаным. А зэманым псэуахэми Iуэхум щыхьэт хуэхъуахэми ялъытэ уэсмэнхэр Мысырым къримыгъэхьэу зэрапэлъэщын амал закъуэ къыхуэнам Тумэнбей апхуэдэ щIыкIэкIэ зыхигъэкIыжауэ. Хэт ищIэрэ, сулътIаныр гузавэ къыщIэкIынт хабзэм къемызэгъыу мылъку хихмэ, армырами тIасхъэ хъуа къэралыгъуэм и Iуэхур нэхъеиж ищIынкIэ, е егупсыс къыщIэкIынт Iуэху зэхэзэрыхьам нэхъыфI дыдэу хэпщIыхьыфынур шэрихьэтымрэ унафэ щIыкIэ захуэмрэ утетынрауэ. Дауэ хъуами, зэзауэр зэриухынур гурыIуэгъуэт. Тумэнбей IэщэкIэи зауэлI бжыгъэкIэи хэщIыныгъэшхуэ игъуэта нэужь, Газэр Сэлим Iэрыхьэри уэсмэнхэр мысыр гъунапкъэм деж къыщыхутащ. Каир кIуэцI Iуэхур кIуэ пэтми нэхъ къыщызэщIэплъэт. Улахуэрэ ерыскъырэ ирикъуу зрамытыф мамлюкхэр хъунщIэнымрэ лей зехьэнымрэ хуимыгъэкIуэн папщIэ, ерагъыу зэтриIыгъэф къудейт сулътIаным. Къанщауэ и блыгущIэт къэкIуэжахэр арэзытэкъым Тумэнбей езыхэм къемыупщIу зэрытрагъэувамкIэ. Абыхэм Къанщауэ Гъур и къуэ Мухьэммэдт сулътIану хахынур. Къалэм уэсмэнхэм я тIасхъэщIэххэр дэз хъуат, абыхэм язым Тумэнбей иукIыну хэтащ. Къалащхьэм и щIыбкIэ къумырысхэр хъийм щикIауэ щызэрызехьэхэт. Ибн Ийас зэритхыжымкIэ, жорзехьэхэм зэрахьатэкъым а илъэсым къумырысхэм лейуэ зэрахьам хуэдиз. 1517 гъэм Сэлим и дзэр мысыр къалащхьэм къыбгъэдэхьащ. Зэхэуэм зыщыхуигъэхьэзырым, Тумэнбей къарурэ мылъкуу иIэм я нэхъыбэр мафIэрыуэ Iэщэ зэригъэпэщыным тригъэкIуэдат. Мысырхэмрэ нубийхэмрэ жыжьэрыуэ Iэщэхэр къызыхуэгъэсэбэпын къыхашри топхэр Ар-Риданийэ и Iэгъуэблагъэм, Аль-Мукъэттэм бгыщхьэм трагъэуват. Ауэ ягъэхьэзыра къомыр къахуэгъэщхьэпакъым. Iэщэ хьэлъэхэр пшахъуэм хэнат, Каир зэрахъумэну зэрызагъэхьэзыр щIыкIэм щыгъуазэ уэсмэнхэми топ гъэзэгъуейхэр ялъэмыIэсын хуэдэу къызэрыпакIухьын Iэмал къагъуэтащ. Тумэнбей зыщыгугъыну къыхуэна хэкурысхэр Iэщэми хуэIэкIуэлъакIуэтэкъым, зауэхэм хэтуи есатэкъым. Уэсмэнхэр зэрытекIуар гурыIуэгъуэти, Тумэнбей къыхуэнэжа зауэлI тIэкIур здыщIигъуу щыхьэрым дэкIын хуей хъуащ. Тыркухэм махуищым и кIуэцIкIэ Каир зэхакъутащ. Къалэм къыдэна мамлюк псори здэщыт дыдэм деж щаукIащ. Блыщхьэу хуэзащ Сэлим мамлюк сулътIанхэм я хэкум щихьа махуэр - 1517 гъэм, щIышылэм и 26-м. Абы и пэ къихуэ мэремым Каир дэт мэжджытхэм абы и цIэр щагъэлъапIэ хъутIбэхэр къыщыIуакIэт. Ауэ Тумэнбей икIуэтыныгутэкъым. Бэрэжьейм, щIышылэм и 28-м ар и зауэлI гупыр и гъусэу къалэм дэхьэри уэсмэнхэм я тIысыпIэм мафIэ щIидзащ. Мамлюкыдзэм иджы Тумэнбей жыжьэрыуэхэм яхигъэхьэну зыхэта каирдэсхэри гуэхьат. Уэсмэнхэм икIуэтыну мурад ящIри мэрем махуэ зыхуэкIуэм хъутIбэхэм аргуэру Тумэнбей и цIэр щагъэIуащ, мамлюкхэм къалэр махуиплIкIэ яIэщIэлъащ. Ауэ щэбэтым, щIышылэм и 31-м увыIэгъуэ имыIэу къателъалъэ фочышэм ахэр къалэм дихужащ. Каир уэсмэныдзэр къыдохьэжри, аргуэру псори зэхакъутэн щIадзэ. Мамлюкхэм ядэIэпыкъуа псоми я унэхэр ягъэс. Хьэрып щIэныгъэлI гуэрхэм зэрыжаIэмкIэ, а Iуэхум мысыр жылэм щыщу минипщI, мамлюк эмиррэ къызэрыкIуэ зауэлI щий хэкIуэдащ. Мазаем и 3-м, гъубж махуэу, Сэлим пщIэ хэIэтыкIа пылъу каир чэщанэм щIыхьащ. А зэман дыдэм Тумэнбей Аль-Бахънэс зыщигъэбыдауэ, Мысыр Ипщэм щыщ къумырысхэм дзэщIэ къахищIыкIыну хэтт. Сэлим мамлюк епцIыжакIуэхэр къигъэщхьэпэурэ и бийм текIуэну хэтащ. Абы Аль-Бахънэс уэсмэнхэм иджыри Мардж Дэбикъ деж щэхуу къащыдэIэпыкъуа Хъаирбей и унафэм щIэт кхъухь зыбжанэ еутIыпщ, ауэ абыхэм зыри къехъулIэкъым. Тумэнбей къатеуахэр зэтрикъутэну хузэфIокIри я Iэщэри ятрех. Мамлюк мызагъэхэр зэтрикъутэну Сэлим къиутIыпща етIуанэ гупым пашэ яхуэхъуар мамлюкхэм епцIыжу уэсмэнхэм ягуэхьа нэгъуэщI зы дзэзешэт – Аль Гъэзалий Джанбирдий. Ар Тумэнбей и щыкъу щIалэт – и щхьэгъусэм и дэлъхут. А зыращ Джанбирдий къезыгъэлар: щыкъу щауэр Аль-Бахънэс къызэрысу зыIэрыхьа Тумэнбей абы и тэмакъыщIэм маисэр къытриубыдат, ауэ малъхъэм зыхуигъэфэщакъым и щхьэгъусэм и анэкъилъхур иукIыну, модрейми Iэщэ иIыгъыу Тумэнбей афIэкIа пэщIэмыувэжыну тхьэ иIуащ. Куэд дэмыкIыу Каир тхыгъэ ирагъэхь: Тумэнбей арэзы мэхъу уэсмэн сулътIаным и цIэр мэрем хъутIбэхэм щигъэIунуи, ахъшэм тригъэуэнуи, Истамбыл хэхыпщIэ иригъэхьынуи, Сэлим и дзэр дэщIыгъуу Каир дэкIыжу щытмэ, афIэкIа я Iуэхуми къыхэмыIэбэнумэ. Тумэнбей итхт апхуэдэ унафэм щIыхуэкIуар зэуэну е хэкIуэдэну зэрышынэм къызэрыхэмыкIар, ар зыхуейр лъыгъажэр къигъэувыIэнырт. Сэлими арэзы мэхъури, лъэныкъуитIым мамырыгъэ зэращIылIэн папщIэ, тырку сылътIаным Каир Ипщэм лIыкIуэхэр еутIыпщ. Абыхэм нэхъыщхьэу я гъусэт Каир щыщ хеящIэхэм пашэу яхэтиплIымрэ хъалифым и лIыкIуэмрэ. Ауэ ежьахэр Аль-Бахънэс нэмыс щIыкIэ, тырку лIыкIуэхэм Тумэнбей и унафэмкIэ мыарэзы мамлюкхэр ятеуэщ, уэсмэнхэр яукIри, иужьрей адыгэ сулътIаным хуахь тыгъэ лъапIэхэри ядыгъуащ. ЗэгурыIуэныгъэм и гъуэгур зэпыупщIа хъуакIэт. Иужьрей зэхэуэр Гизэ пирамидэхэм деж щызэхэтащ. Уэсмэныдзэр езышэжьа Сэлим топхэмрэ фочауэхэмрэ Нил и Iуфэм иригъэувэкIат. Зэпымыууэ къателъалъэ шэм мамлюкхэм я шуудзэр къагъэщхьэпэну Iэмал яритакъым. Тумэнбей и лъэныкъуэ къумырысхэм зауэм и гуащIэгъуэм я щIыбыр къыщагъазэм, уэсмэнхэр текIуащ. СулътIанымрэ абы нэхъ къыпэгъунэгъу эмирхэмрэ зыщагъэпщкIуат зэгуэр Къанщауэ Гъур и зауэлIхэм укI тезыр зытралъхьэу Тумэнбей къригъэутIыпщыжа къумырыс шейх гуэрым деж. Сэлим Тумэнбей и хъумакIуэхэм Iэщэншэу къаIэщIигъэкIыну мурад ищIащ. Абы шейхыр къигъэгугъащ, Тумэнбей къритмэ, и щIым щхьэкIэ зы динари зы дирхьэми Iимыхыу, езым нэхърэ нэхъ пщIэшхуэ зиIэ мысыр къумырысхэм яхэмыту игъэпсэуну. Тумэнбей уэсмэнхэм иратри, 1517 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м ар щхьэпылъэ ящIащ. Мысырри, Сирием ещхьу, Уэсмэн империем щыщ хъуащ. КIэух Мамлюк сулътIаным къэралыгъуэр ихъумэн папщIэ иIа гупыжхэм гъуэгу ягъуэтакъым. Тумэнбей унафэр къыщылъыса лъэхъэнэр зэман гугъут. Мардж Дэбикъ деж Къанщауэ Гъур и дзэр щызэтракъутат. Мысыр хъарзыналъэр Селим и IэмыщIэ ихуат, абы къыхэкIыу Тумэнбей дзэщIэ зэригъэпэщу уэсмэнхэм Каир къыдимыгъэхьэн хузэфIэкIакъым. Тумэнбей зыкъэзыIэтхэр игъэсабырыжу зэресари (псынщIэу Каир къыдэхьэрэ къатеуахэм ятеуэжу, Мысыр Ипщэм къаруущIэхэр къыщызэригъэпэщыжу), и зауэлI IэкIуэлъакIуагъри, езыр лIы хахуэу зэрыщытри, зыхуэбгъэдэн щымыIэу текIуэныгъэм зэрыхуеIэ и хьэлри къыхуэщхьэпакъым, унафэр къыIэщIэнэн папщIэ. ИужькIэ къэхъуа псоми къагъэлъэгъуащ Дэбикъ зауэм и ужькIэ Мысырым щытепщэ къулыкъущIэхэм уакъыхэнэу уи щхьэри зэрыпхъумэн Iэмал закъуэу щыIар уэсмэнхэм уагурыIуэныр зэрыарар. Каир къыдэна мамлюкхэм я зэхуаку зэгурыIуэрэ хабзэ зэтеухуарэ зэрыдэмылъым къыхэкIыу, Сэлим мамырыгъэкIэ бгъэдэувэн мурадри Тумэнбей къехъулIакъым. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, сыт къэмыхъуми я сулътIаныр ягъэпэжыну эмир псоми загъэхьэзыртэкъым. Иджыри Сирием зауэм щыщIимыдзэ лъандэрэ, уэсмэнхэм щэхуу ядэлажьэрт Хъаирбей. Ар Къаитбей и мамлюкхэм ящыщт, миным я эмир цIэр зэрихьэт икIи зэман кIыхькIэ сулътIаным и лIыкIуэу Хьэлэб дэсат. 1516 гъэм и фокIадэм Хъаирбей зимыбзыщIыжу уэсмэнхэм ягуэхьащ, илъэс дэкIри, 1517 гъэм и фокIадэм и 9-м ар Мысырым щыIэ уэсмэн лIыкIуэ ящIащ. ИпэжыпIэкIэ Сэлим Тумэнбей къызэригъэгугъар Хъаирбей лъысауэ жыпIэ хъунущ - псэуху ар Мысырым и тепщэу щытынут, хэхыпщIэр тыркухэм яриту, уэсмэн сулътIаным и цIэр хъутIбэхэм щагъэIуу, ахъшэхэми къыхаIущIыкIыу. Уэсмэн тепщэгъуэм, и хьэл лантIэм тету, щIыпIэ пхыдзахэм пщIэ щызиIэ къулыкъущIэхэм емыныкъуэкъуу ядекIуэкIыныр нэхъ къищтащ, щIыналъэм щызэтеува унафэр зэтрамыкъутэу икIи ямыхъуэжу. КIэныщIэкIэ джэгуну хьэзыр мамлюкхэми яфIэкIуэдар зыIэрагъэхьэжын папщIэ, уэсмэнхэм я дзэмрэ мылъку зезыгъакIуэ къулыкъущIэхэмрэ зыхагъэзэгъащ. Абы и фIыгъэкIэ абыхэм мамлюк сэрейм щызекIуа хабзэхэри я дзэ зэгъэпэщыкIэри къызэтранащ. ЯIэщIэкIа пщIэр къэралыгъуэм щызэрагъэпэщыжщ, «бейликат» жыхуаIэ уэсмэн къулыкъу зехьэкIэщIэр къагъэунэхури, хуэм-хуэмурэ ахэр Уэсмэн къэралыгъуэм и унафэм щIэкIыжыпахэщ. Мамлюкыдзэр епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм ипэ пщIондэ щыIащ, ауэ мамлюк сулътIанхэм я тхыдэр иужьрей бурджий сулътIан Тумэнбей зэрыхэкIуадэу иухащ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "tumanbey.txt" }
Пащтыхьыкъуэмрэ факъырэмрэ (пычыгъуэ) ЗэзыдзэкIар Дудар Хь. М., 1963 гъэ Япэ едзыгъуэ Пащтыхьыкъуэр къызэралъхуар, факъырэри къызэралъхуар. ГущIэгъуныгъэм хъеритI зэуэ пылъщ: ГущIэгъу зыщIри зыхуащIри насыплыщ,- Ар лъэщым иIэм – нэхъри егъэлъэщ; Пащтыхьым дежкIэ и тетыгъуэм нэхъ Ар сыт хуэдизкIи нэхъ къегъэсэбэп. Шекспир, «Венецианскэ купец» Ар къыщыхъуар епщыкIуханэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ IыхьэплIанэм и кIэухырщ. Ижьрей Лондон къалэм щыпсэу Кенти къулайсыз унагъуэм зы бжьыхьэ махуэ гуэрым къыщалъхуащ зыкIи зыхуэмей щIалэ цIыкIу. А махуэ дыдэм Тюдорхэ я унагъуэ къулайм къыщалъхуащ езы унагъуэ къудейр мыхъуу, Англие псор зыхуей нэгъуэщI щIалэ цIыкIу. Англиер абы апхуэдизкIэ куэд лъандэрэ щIэхъуэпсырт, пэплъэрт икIи абы щхьэкIэ Алыхьым елъэIурти, ар къыщалъхуам щыгъуэ англичанхэр гуфIащэри делэ хъу пэтащ. ЕрагъкIэ зэрыцIыху къудей цIыхухэр а махуэм зэIущIамэ, IэплIэ, ба зэхуащIырт, гъыхэрт. Зыри лажьэртэкъым, псоми ар ягъэлъапIэрт – къулайсызхэмрэ къулайхэмрэ, цIыху цIыкIухэмрэ цIэрыIуэхэмрэ – ефэ-ешхэрт, къафэрт, уэрэд жаIэрт, шагъыр ирафырт. Апхуэдэурэ дауэдапщэр махуэ зыбжанэрэ жэщ зыбжанэрэ екIуэкIащ. Махуэм Лондон нэгузыужьыпIэ гъэщIэгъуэн дахащэу плъагъурт: дэтхэнэ балконми, дэтхэнэ унащхьэми нып цIуугъэнэхэр щыхуарзэт, зыкъырахыу уэрамхэм цIыхухэр дэтт. Жэщми узэплъын щыIэт: уэрам зэхэкIыпIэ псоми хьэрищэ мафIэ къыщылыдырт, ахэр ефэ-ешхэ цIыхухэм къаухъуреихьырт. Англие псом щызекIуэ псалъэмакъ псори зытеухуар къалъхуагъащIэ Тюдор Эдуард, принц Уэлскэм, и закъуэт, ар езыр шылэмрэ дариймрэ кIуэцIылъу, а зэрызехьэ псоми зыри химыщIыкIыу, лорд, леди цIэрыIуэхэм зэрыщIаупскIэр имыщIэу щылът,-абы и дежкIэ псори зыт. Ауэ хъыданжэрумэм кIуэцIыгъэджэрэза адрей сабийм, Том Кенти, теухуауэ зыщIыпIи зыри щызэхэпхыртэкъым. Абы и гугъу щащIыр ар дунейм къытехьэныгъэм лъэпощхьэпо куэдым хидзэнкIэ хъуну факъырэ унагъуэрат. ЕтIуанэ едзыгъуэ Том и сабиигъуэр Илъэс зыбжанэкIэ дызэIэбэкIыжынщ. Лондон лIэщIыгъуэ пщыкIутху хъуауэ къэгъуэгурыкIуэрт, а зэманым елъытауи ар къалэшхуэт. Абы цIыху минищэ щыпсэурт, ауэ языныкъуэхэм я гугъэт – хуэдитIкIэ нэхъыбэу. Уэрамхэр бгъузэт, нэшэкашэт, фIейт, псом хуэмыдэу Лондонскэ лъэмыжым пэмыжыжьэу Том Кенти щыпсэу Iыхьэм. Унэхэр пхъэ унэт; етIуанэ этажыр езанэм щхьэщыкIуэтат, ещанэм и блыпкъхэр етIуанэм жыжьэу щхьэпрыпIиикIырт. Унэхэр нэхъ лъагэхункIэ, нэхъ бгъуэ хъуурэ дэкIуейрт. Абыхэм я пкъыр пхъэзэтеупщIэт, бгыкъухэм я зэхуакухэм материал быдэ дэлът икIи и щIыIур штукатур щIат. Бгыкъухэр плъыжьу, щIыхуу, е фIыцIэу, унэр зейм зэрыфIэфIым хуэдэу, лат, абы унэхэм фэ дахэ дыдэ къатригъауэрт. Щхьэгъубжэхэр цIыкIут, абджынэхэр хьэлыуэ IупщIэу щIат, петлэ зыхэлъ бжэм хуэдэу ахэр и щIыбымкIэ щыIупх хъурт. Том и адэр щыпсэу унэр Обжорнэ сатырым адэкIэ бамэр къыздих плIанэпэм дэтт. А плIанэпэм ПхъэнкIиидзыпIэ ПщIантIэкIэ еджэрт. А унэр цIыкIут, кхъахэт, лъэбышэт, IэпэдэупIэ имыIэу къулайсызхэр щIэст. Кенти и унагъуэм ещанэ этажым зы пэш цIыкIу щиIыгът. Адэмрэ анэмрэ гъуэлъыпIэм ещхь гуэр яIэт, ауэ Томи, абы и анэшхуэми, и шыпхъуитI Бэтрэ Нэнри апхуэдэ гугъуехь ятелътэкъым: абыхэм унэ лъэгу псор къалъысырти ахэр дэнэ деж хуейми щыжеифынут. Абыхэм шхыIэн ныкъуэжьитI-щы, хьэуазэжь лъэлъа блыгу зырыз-тIурытI яIэт, ауэ абы тепIэн-щIэлъынкIэ уеджэ хъунутэкъым, сыту жыпIэмэ, а псори пщэдджыжькIэ зыщIыпIэ Iэмбатэу щызэтратхъуэрти жэщкIэ щхьэж зыхуейр къыхихыжырт. Бэтрэ Нэнрэ илъэс пщыкIутху хъу зэтIолъхуэныкъуэ хъыджэбз цIыкIухэт, псэ хьэлэл зиIэ, щыгъын чэтхъахэр зыщыгъ, IэфIейлъэфIей адэмыгу цIыкIухэт. Анэри абыхэм куэдкIэ къащхьэщыкIыртэкъым. Ауэ адэмрэ абы и анэмрэ нэгъэсауэ алмэстыт: ахэр дэнэ щахузэфIэкIми ефэрти зэзэуэжырт, е зыхуэзэм езауэрт. Щычэфхэми щымычэфхэми я зэхуэдэу, абыхэм лъэбакъуэ ячынтэкъым мыхъуанэхэу. Джон Кенти дыгъуу щытат, абы и анэр – факъырэт. Абыхэм факъырэIус къыхахыу сабийхэр ирагъэсат, ауэ дыгъу ящIыну яхузэфIэкIакъым. Унэм щIэзу щIэс факъырэхэмрэ дыгъухэмрэ ящымыщу зы цIыху яхэтт. Ар пащтыхьым пенсэ мащIэ тIэкIу Iуридзэу уэрамым дидзэжа поп лIыжь хьэлэл гуэрт. Абы сабийхэр щэхуу езым и деж ишэрейт, хьэлэлыгъэр фIыуэ лъагъуным ахэр хуригъаджэрт. Абы Том иригъэщIащ къеджэкIэрэ тхэкIэрэ, абы и сэбэпкIэ Том латиныбзэм зыкъом хищIыкI хъуащ. ЛIыжьыр хуейт хъыджэбз цIыкIухэми тхылъ яригъэщIэну, ауэ хъыджэбз цIыкIухэр я ныбжьэгъухэм ящышынэрт, ахэр къазэрыщыдыхьэшхынум щхьэкIэ. ПхъэнкIиидзыпIэ ПщIантIэ псори, Кенти щыпсэу унагъуэм хуэдэу, хьэдзыгъуанэ абгъуэт. Фадэфэныр, къаугъэхэр, зэзауэхэр мыбы къызэрыгуэкIт икIи нэхущ нэблэгъэху екIуэкIырт. Щхьэ пхыудын жыхуэпIэр зыми фIэгъэщIэгъуэнтэкъым, гъаблэм хуэдэ къабзэу. Дауэ щытми Том цIыкIу насыпыншэу зилъытэжыртэкъым. Абы зэзэмызэ мэжэлIэныр хуабжьу къыщытехьэлъэ щыIэт, ауэ езым и тхьэмыщкIагъэм мыхьэнэшхуэ къыригъэкIыртэкъым; ПхъэнкIиидзыпIэ ПщIантIэм дэс щIалэ цIыкIу псори апхуэдэут зэрыпсэур; абы къыхэкIыуи и гугъэт нэгъуэщI зыгуэру щытын хуэмейуэ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "tven.txt" }
Сымыпсэлъэн слъэмыкI ЗэзыдзэкIар Нало Заурщ Си гъащIэр дзыхьщIыгъуэджэщ, сопIейтей. Ажалыр къосри къэсщэхун джэбын? Дунейр убгынэм бгъуэтын гъуэгу сэтей? Сыт сщIэн? ГущIэгъукIэ тхьэшхуэм селъэIун? Сэ тхьэ Iэмырыр сыткIэ къысхуэщIэн? Псэм мамырыгъэр дауэ естыжын? Мы си гур зыщIэбэным зытезгъащIэу Пшахъуэху къумыжьым щихъыу сихьэжын? Пагагъэр япэм щыблэрт си псэ нэщIым, Ажалыр нэпскIэ сопIыр сэ иджы. Мы си пкъыр псэншэу къизнэу губгъуэ къумым Шхын хьэкIэкхъуэкIэхэм яхуэсщIыжын? Сэ си псэм фIэфIт гущIэгъукIэ зигъэнщIыну, Гурыгъуу иIэр фIэфIт зэгъуэкI ищIын; Акъыл шабзэшэм си гур зытхьэкъу псори Къашыргъэм хуэдэу сфIэфIт къезгъэукIын! Сэбэпкъым, Фраги, цIыхур дэзыхьэххэр: Iэпкълъэпкъыр псэншэм фыгъэм IэщIэмыкI. УимыIэм псалъэ пхуэгъэплъэнкъым нэхэр… Сэ си бзэр псэущ, сымыпсэлъэн слъэмыкI! Зэплъыж ЗэзыдзэкIар Мысачэ Петрщ УакъылыфIэм – ныбжьэгъу хъун къэгъуэт; ЗэгъащIэ: делэм – делэщ и пэшэгъур, УзэгуэкIуами уи нэIэ тегъэт – Зумыгъэпсалъэ пцIыкIэ фIыуэ плъагъур. ЛIыхъужьым, ухэмыщт, егъэз уи дзыхь; Чэруаныр жэщкIэ поплъэ бий бэлыхь; Къэрабгъэр зауэм хэткъэ – емыкIу къехь, Гукъеуэ щимыгъащIэ я унагъуэр. Къэрабгъэр пфIэгуэныхь щыхъуам и деж ЗэгъащIэ: зумыщIэжу щхьэм уоуэж! Ущемыпсых къулай нэпсейм и деж; Жумарт тхьэмыщкIэрщ сыткIи уи ныбжьэгъур. Къэрабгъэр унэм и щхьэ щыщотхъуж, Гугъуехь пэщIэхуэм, щIыгум ар йопцIыж; Шууейм къилэжьыр фIэIэфIу ешхыж, Нэпсейм пщIэхэлъщ и мылъкур щIэп лэрыгъуу. Зэплъыж, Фраги, уэ плъагъури умущэху, Гъэбатэ фIыгъуэр, бзаджагъэр щхьэщыху; Гъэныкъуэ жейр, ппэщылъщ уэ куэду Iуэху: Уи псалъэ-Iэщэр хуэIэт бийм шынагъуэу! Хуэлэжьынщ ЗэзыдзэкIар Мысачэ Петрщ Шыдыжьыр шыду къэнэжынщ, УщытхъукIэ хуарэ ар пхуэхъункъым. Акъыл зимыIэр пашэ пщIынщ – Нэмыс жыхуаIэ дэплъагъункъым. Дуней хъуэпсэгъуэм гу хуумыщI, Уи гъащIэр мылъкукIэ умыгъэнщI, Уи дзыхь уи малъхъэм уэ хуумыщI: Ар уи къуэм хуэдэ къыпхуэхъункъым. Уи лъагъуэ дэни ныщумыщI, Нэхъапэ щIыкIэ гъуэгум еплъ, ЧэнджэщкIэ щхьэншэр Iущ пхуэмыщI: Псалъэу ныжепIэр ехь акъужьым. Узыфэ бзаджэр къыпщишам, Абы хьэншакъыу уигъэшам, ПпэIэщIэщ бынхэр, къишиям И къапхъэн зэвыр ажалыжьым. Фраги, сыт гъащIэ къэунэхуар! Узыхуэмеи ттепсэхар; Жыг хадэ дахэу къэгъэгъар Хуэлэнщ, ди дежкIэ жэнэт хъункъым! Сыт амал? ЗэзыдзэкIар Нало Заурщ Узимыныбжьэгъумэ, е узимыкъуэшмэ, Зэ укъызэплъкIэ сытым гу лъыптэн; ЦIыху Iущыр сигу къеуэкIэм къыщIэдэIумэ, ЛъэкIынщ сигу щыщIэ псори къилъытэн. Сэр дыдэм сызищIысыр къысхуэмыщIэ! Акъыл налкъутхэр си гум хуэмыIыгъ! Ауэ сэ си тхьэм сыти къызырещIэ – Абы сохъуэхъур, псэкIи сыщогугъ. Тетщ мы дунейм сэ цIыхуу сызымыбжи, Си лъэIухэм емыдаIуэу збгъэдэкIыжи – Арами, сощIэ, къысхуихуэнщ сэ махуэ СыщыIущIэн цIыху Iущи, цIыху Iумахуи. ИджыкIэ, дэ уэ щIакхъуэ пшхын бгъуэтамэ, КIэщIыIуэщ гъащIэр, сыт хузэфIэкIын! Псэр хуоIэ уафэм, ар дамэншэ пэтми Уэ зыпIэтыну сытым плъигъэкIын? Эх, куэдрэ, Фраги, ер тепщэну гъащIэм? Захуагъэр пхауэ куэдрэ хуэIыгъын? ЩIалэгъуэ гъатхэр блэкIащ зэхэзмыщIэу, Къэмысу жьыгъэр сыткIэ схуэубыдын! Сэ жызоIэ ЗэзыдзэкIар Брай Адэлбийщ Сэ жызоIэр: шаххэри сулътIанхэри Нобэ фае тутын Iугъуэу хъуаи. Къулаижьхэм кIуэщIащ якъуэлъ мылъкури,- ГупыкI ящIыжыфкъым гъуаплъэ щай. Бзэгу зезыхьэр пагэу тетщ ди щIылъэм. Сондэджэрыр пэрытщ къулыкъушхуэм. И псэм дохьэр хъаным хамэщI хуэлъэм. Тхьэм и псалъэр ихужащ игу фIейм. ПцIым нэлат ирихыу хэт щыIэжыр? ПщылIхэм я фэм мылъку къыдах гъунэжу… Тхьэм и псалъэ Iущхэр къыридзэжу ПсэкIэ бауэу теткъым цIыху дунейм. Нэпсейм щIыхьыр йодэхащIэр и псэм; Нэжэсагъыр щыбэгъуащ ди лъапсэм; Тхьэ фIыцIагъэр дэхуэхащи, гуауэу Хэутэн ещIыжыр зэман Iейм. Хамэ мылъкур хэти фIэIэфIыпсщ; Ученэхэр я тхылъхэм щыпцIыупсщ; Iулъхьэ Iехри къулыкъущIэр щысщ; ЕхъунщIэфыр везир дыдэр хуейм. ФэрыщIщ муфтыхэр – яIэщIэлъщ къурIэн. ЩIэлъщ я нитI утхъуахэм пцIы пхуэмыгъэлIэн. Ем лъэкIащ уз бзаджэу цIыхур зэщIищтэн; Тхьэм ипэжыр ехыжащ дунейм. Хъыджэбзхэм гугъущ укIытэ къахэпшыныр; КъэкIыгъэр щIым ерагъщ зэрыщыхъужыр; Ишанхэр хэтщ жей IэфI зэпымычыжым; Дервишхэми къыщахь гуэныхь дунейм. Фраги къывжеIэр: сытми фыхэплъыхь. Напэншэ ухъукIэ къэблэжьынкъым щIыхь. Тхьэ закъуэрщ гъащIэр зыхуэпщIынур дзыхь. Ныбжьэгъухэр пIащIэу ехыжащ дунейм. ХокIуэдэж ЗэзыдзэкIар Къэжэр Петрщ Псыхэр мэгъужыр, пощэщыжыр тхьэмпэр, Зеиншэ цIыкIухэм я гъынэпс щIагъэкI. Кхъуэл зышх беижьхэу щэ гуфIакIэ гупым Ятхьэлэ цIыхур, яшхри къомэщIэкI. Молэхэм пщIэ хуащIыжыркъым къурIэным, Азэн едаIуэ зыри щымыIэж. СудыщIэ гупым ныбгъэдэсу Iэнэм, Ирафыр шей, насс гуащIэр жьэдалъхьэж. Ишанхэм цыхур ящIыр гущхьэмыгъуэ, Гуэныхь зылэжьым молэр яблэкIынщ, «Дымуслъымэнщ дэ!» - жаIэурэ я гугъэщ Псэу щIыкIэ жэнэтыбжэр зэIуахын. Мы ди цIыхубзхэр хъуахэщ иманыншэ; НысащIэ цIыкIуми нэкIу уимыгъэлъагъу; Щхьэж и зэман ищIахэр гулъытэншэ ИщIыну, щэным ихьу зуегъэлъагъу. Нэжэс фIэкIаи си хэку щыплъагъужкъым: Я напэр, щIыхьыр псоми ящэжащ. ХэкIыпIэ зиIэм бытыр лъэпкъ итыжкъым, Нэпсейуэ мылъкур яубыдыжащ. Фраги, кIэлъыплъыт, Iэхэр яшияуэ, Молэхэр уафэм еплъу зэрыщытым. Здахьын къагъуэт къалъэIур, гужьеяуэ, Я ныбэм папщIэ ахэм захущыхь! Къет ЗэзыдзэкIар Къэжэр Петрщ Алыхь, уи деж сэ сыкъэкIуащ; Сыхуейкъым пщIэншэу сыпсэуну, Си гъащIэр кIыфIу сэ згъэкIуащ, Къызэт къару, щIыхь гуэр хэсшыну. Си гуауэр щIэншэщ, сыт си хэщI: СыпцIанэщ. Уэ гущIэгъу къысхуэщI, Шыгъу-пIастэ уиIэм, сумыщI нэщI, Къызэт уэ мафIэ гур згъэткIуну. Пэжыгъэ щыIэкъым дунейм, Насып – ди плъапIэм дыхуэхейщ, Къызэт сэ гъащIэу илъэс пщIей, Сызэрыхуейуэ сыпсэуну! Имам-Риза, Хаджи-Бекдаш, Абдул-Къадир – ди гъуэгур хаш, Ахэр ди пашэу дыдыраш ЛIыгъэм и щIыхь тIэтыну! Фраги гурыщIэ лыгъэм ес; Илъэпкъ и гуауэри къылъос, Уэ къет абы лIэщIыгъуэ нэс Къэралыгъуэшхуэ къигъэнэну. Ухуэзагъэхи уэ? ЗэзыдзэкIар Жаным Борисщ Жэщым я нэхъ кIыфIыр игъэнуру махуэу, Ухуэзагъэхи уэ си тхьэIухудым? Е мы дунеягъэм, е уэ къемэтмахуэм Ущыхуэзагъэхи сэ си тхьэIухудым? Анка, хэку пэжыгъэр плъэгъуащ къыздэпкIухьым, Махуэм ар мыхъейрэ, жэщым къилъэтыхьу, Навои факъырэу хэкухэр къэзыкIухьу,- Ухуэзагъэхи уэ си тхьэIухудым? КъыресыкIри бжьыбжьу гуауэм мы си гущхьэр; СызыпхокIри псыхэм зэпызоч къумыщхьэр, Уэ сыплъыхъуэу. Щами, Ираки, Мэкэи Ущыхуэзагъэхи уэ си тхьэIухудым? Хорезми, Къыпчакъи, Чин-Мачин хэку жыжьи, Е Зумаил хахуэр мелыIыч дамэ хужьым Тесу вагъуэ гъуэгухэм къыщакIухь хьэршыжьым, Ущыхуэзагъэххи уэ си тхьэIухудым? Дэмыхуэжу нэпкъым папщэу тенджыз Плъыжьым, Е жэнэт хэкум, е къум щыгужьым, Ерусалимым, е Мадинэ гъуэжьым Ущыхуэзагъэххи уэ си тхьэIухудым? Дэнэ уэ ущыIэ? Махътум-Кули ехь бампIэм; Уэ дэнэ къуэладжэ ущызгъуэтыну щIыпIэр? Жэбрэил мелыIычу тхьэм къихьа мы щIыпIэм Уэ ухуэзагъэхи а си тхьэIухудым? Апхуэдэ пщащэ псэгъуу сыхуейт ЗэзыдзэкIар Жаным Борисщ Ужумартщ сэркIэ, уэ лъэщ ди тхьэшхуэ, Уи гущIэгъу иным сыхуейт, слъыбгъэстэм: ТхьэIухуд пщащэу зи псэр нэхутхьэхум СищIащ гъэр, - гуапэт мис ар къызэпттэм. Ар къызумытым – хэсхыжынщ си псэр: Дэнэ схьын бампIэу си гущхьэр зысыр? Набдзэ къурашэу IупитI фоупсым, Зи нэ кIуэцI дыгъэм псэгъуу сыхуейт. Зи хьэл-щэн дахэу сыткIи цIэрыIуэм, Езыр щIыкIафIэрэ лей лъэпкъ жимыIэм, И нэгу цIыкIу жанрэ цIыху пэжщ хужаIэм, Апхуэдэ пщащэм псэгъуу сыхуейт. Илъэс тIощI ныбжьыр пщIэншэу згъэщIащ, Насып пэплъэным сэ гъэр сищIат. Фыз Iупэ щабэм сэ гу хуэсщIат, Сигу зыхьэху пщащэт псэгъу сызыхуейр. Махътум-Кулири гъариб унэншэт, И гъащIэ псори кIыфIт, насыпыншэт. Уэху, сыту фIыщэт фызыфI къэсшэну! Си гуащIэм пщIэ хуищIу псэгъу сыхуейт! Тутынафэ ЗэзыдзэкIар ЩоджэнцIыкIу Нурийщ Дунейм щыпхуэщIэр щIэ, уищIащи тхьэшхуэм хуит, ПщIэф дыдэр лэжь, уэ гъуэгу узыхуейми тет, Ауэ зэгъащIэ щыIэщ Суд – ар къыппэщытщ; Абы жэуапхэр ткIийуэ ептынущ, тутынафэ! ПщIэм, дэутхъуэнщ жьэдэпшэ Iугъуэм уи акъыл, УищIынщ уэ нэф, мэ лъэпкъ пщымууэ дэгъунщ уил, Уз Iей Iэпкълъэпкъым итIысхьэнщи, гъащIэр хьэл Уэ къыпщищIынщ а узыщIэфым, тутынафэ! Нэлат IэщIагъэр, Iуэхур гъэбэяу лэжьын, Армыхъумэ уэ щай фIыцIэу уи псэр пфIэкIуэдынщ, Уи бгъэчи, уи щхьи банэ мафIэм пфIыхисхьэнщ, Вы псы зыхуэлIэу пхьынщ уи гъащIэр, тутынафэ! Щырах ахърэтми щIыгуми бзаджэм пунэлат, ЦIыхуфIыр, къабзэр макIуэ Пэжым и жэнэт, Суд пащхьэм тхьэншэр, дыгъу, пцIыупсхэр щогъри итщ, Уи суд ящIэнщ уи гъусэу ахэр, тутынафэ! Махътум-Кули и дежкIэ тхьэр мыкIуэдыж нэхущ, Тутыныр, абы къуит чэф делэр дуней хьэхущ. Уи гъащIэр гъуэщ, щопсэу абы бажапцIэ кIэху, А бажэр Iугъуэм къырихунщ, тутынафэ! Къэбэрдей-Балъкъэр тхылъ тедзапIэ, Налшык, 1960 гъэ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "tyrkum-n-usyg.txt" }
Пащтыхь Бейбарс Бейбарс пащтыхьу тетащ 1260-1279 гъэхэм. Езыр къызыхэкIа лъэпкъым теухуауэ хэтым тырку лъэпкъхэм къыхэкIащ жеIэ, хэтми адыгэщ-шэрджэсщ жеIэ. Иужьрей илъэсхэм Казахъхэм, Мысыр щагъува сериалым тращIыхьри, Бейбарс казахъыу къагурыIуэри, иджы тет я президент Назарбаевым и унафэкIэ кино къыдагъэкIыну и ужь ихьахэщ, ар я лъэпкъ лIыхъужьу къалъытэу; адыгэхэм адыгэу жаIэ, абы теухуауи къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкI. Сирием щыщ тхакIуэ Тэисир Хъэлаф[1] и къэхутэныгъэхэм, Бейбарс адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIамкIэ тегъэщIапIэхэр къегъуэт: «Бейбарс и лъэхъэнэм, «адыгэ», «Шэрджэс» псалъэхэр къежьатэкъым, Кавказым щыщ псоми щхьэкIэ «тырку е тэтэр» жаIэрт. Ар зэщхьыр, Уэсмэн империем щыгъуэ Латин Америкэм Iэпхъуа хьэрыпхэр, нобэми тыркуущ документхэм зэритыр, ахэр апхуэдэу икIауэ щытащи». ………………………………. * «бэхьрит» псалъэр хьэрыпыбзэщ, « хы, тенджыз» къокI. ЩхьэщэхупщIэ щIату къащэхужа адыгэр, хы Iуфэм Iут еджапIэм щIагъэтIысхьэрти, абы щрагъаджэрт, щагъасэрт. А еджапIэр къэзухахэм, щIыпIэм елъытауэ, «бэхьрит» цIэр ятеIукIащ. «Эльбрус» журнал, Дамаск, №22, 2007 гъэ. НэгъуэщI тхыгъи щыIэщ, Бейбарс адыгэу зэрыщытыр къигъэлъагъуэу. А тхыгъэр езы Бейбарс итхыжу Темыр ЩIакъуэ хуигъэхьауэ щытарщ. Абы щыжеIэ "Хьен-Джалут (Айн Джалуте)* зауэм фи напэр тезыхауэ щытар Шэрджэс сулътIанхэрщ…" ЗэрытщIэщи, а зауэр зезышэу щыта дзэпщхэм яхэтащ Бейбарс. Бейбарс и тхыдэр зытхыжхэми къыхагъэщащ, абы тыркубзэ имыщIэу зэрыщытар. Абы илъэкIащ Багдад къалэ тэтэрыдзэр дихужу, Аббасидхэм я хъэлифатыр абы дигъэтIысхьэжыну, Европэм щыIэ пащтыхьхэм запищIэу зэгурыIуэныгъэхэр ядитхыну, "Дыщэ лъэпкъым - Золотая ордам - мамырыгъэкIэ ягурыIуащ, езым и кхъухьыдзэ хым тетыр иригъэфIэкIуащ, псоми ятекIуэн хуэдэу; жор зехьэхэм япэщIэувэри, и щIыналъэр-муслъымэн щIыналъэр абыхэм ящихъумащ. 1266 гъэм Бейбарс пщы Къалэун езым и дзэзешэу Ермэлы зэщIэхъеяхэм я деж игъакIуэри, ахэр япIэ иригъэувэжащ, я пащтыхь Хьесум и къуэр гъэр къищIри, къэкIуэжащ, илъэс къэс тезыр ятыну яхуигъэуври. Пащтыхь Бейбарс муслъымэн хьэрыпхэм куэд яхуищIащ я щIэнгъуазэр, я бзэр, езыхэр къызэтенэнымкIэ. Ар ерыщт Кавказым ис и лъэпкъэгъухэр зэришэлIэнымкIэ, къишахэм я бжыгъэр шууей мин 40-м нэсат. Пащтыхь Бейбарс щIэныгъэлIхэм щIыхьышхуэ яхуищIырт: пащтыхьу хахын щхьэкIэ цIыхубэри, динымкIэ щIэныгъэлIхэри щыхьэт техъуэн хуейт, а увыпIэр абы зэрыхуэфащэмкIэ. Ахэр псори хуарэзыт, ауэ Щихъ Издин[2] гурыщхъуэ къытрихьэрт, Бейбарс щхьэхуитрэ мыщхьэхуитри, бзыщIи, шыни химылъхьэу, езы сулътIаным еупщIащ, « Уэ, Рукнуд-дин! (пащтыхь хъуну Бейбарс зыгъэлъапIэ цIэлейращ) Сэ зэрысщIэмкIэ, Уэ Бындыкъударийм (топ гъауэхэм) я унафэщIым урейщ…» А зыдыщысхэм, Бейбарс щыхьэтхэр къыщIишащ, Бындыкъударым щхьэщэхупщIэ ириту хуит зэрыхъужамкIэ. Абы и ужькIэщ, Бейбарс пащтыхь тахътэр щылъагъэсар. ЗэрыжаIэжымкIэ, Щихъ Издин лIауэ щыдахыжым, пащтыхь Бейбарс жиIауэ жаIэж «Иджыщ пащтыхь сыщыхъуар, мо щихъыр цIыхубэм захуигъазэу, мыр пащтыхь хъунукъым яжриIамэ, си тетыгъуэр абы и деж щиухат». * *«Хьен джалут» Пащтыхь Сэлэдин и дзэр Жорзехьэхэм я дзэм щытекIуа щIыпIэм и цIэщ. Абы щыгъуэм, Сэлэдин и дзэпщу щытар Бейбарсщ. ………………………………. * Мыхьмуд Рызкъ Сэлим Бейбарс Мысыр къызэрыщыхутам теухуауэ Бын Тыгърий Бердий[3] тхыдэтхым етх: « Щехъ Издин къызжиIащ, пщы Бэдрудин къыжриIэжауэ, Бейбарс Кабчакым-Кавказым кърашауэ 1225 гъэхэм. Къыщрашам и щхьэусыгъуэри мырат: тэтэрхэм гъэру яубыдам дахэтт, сэрэ Бейбарсрэ. Абы щыгъуэм ар илъэс 14-м итт. Ящахэм я гъусэу Сивас[4] къалэ дахуащ; Сивас къалэ дыщызэфIэкIуэдри, етIуанэу дыщызэрыгъуэтыжар Хьэлэб-Алеппо[5] къалэрщ. Езыр абы ирашри, Каир къалэ дэс пщы Алэдин Идкин Бундыкъударий иращащ…».* …………………………………….. *Бацэжь, том 4\I, нап 225. Мысыр щекIуэкIа япэ шэрджэс къэралыгъуэм хуэлъэкIат щIыналъэм ис бедуинхэр игъэIэсэну, ЩамкIэ щыIэ Аиубитхэм я щIэблэри игъэбэяуну, кхъухьыдзэри лъэщу икIи шынагъуэу хым щызэригъэкIуэну. Бейбарс сулътIану зэрытеувэу, зы зэманым къриубыдэу, зэщIэхъэиныгъэу тIуу Iууащ, зыр Каир кIуэцI, етIуанэр Дамаск. Каир къыщыхъеяхэри, Дамаск щызэщIэхъеяри игъэужьыхащ, къарукIэ. Ещанэ Iуэхуу абы къыпэщылътэр, аббасидхэм я хъэлифатыр зэфIэгъэувэжынрати, ари зэфIигъэкIащ. Къэрал щIыбымкIэ нэхъ шынагъуэу щыIэтэр жорзехьэхэмрэ, монголхэмрэти, абыхэм зэгурыIуэныгъэ быдэкIэ ягурыIуащ: 1262 гъэм Византием я император Михаил еянэ Балилодж зэгурыIуэныгъэ тхылъ дитхащ, Наплои и император Фридрик етIуанэм хуригъэхьа зэгурыIуэныгъэ тхылъым нэмыщIауи, лIыкIуэ хуищIа гупым я гъусэу тыгъэ лъапIэри хуригъэхьат: жураф, «Хьен Джалут» зауэм гъэр къищIауэ щытахэм щыщ гупи ядыщIыгъут, яшхэм тесу, я Iэщэ-фащэри якIэрылъу. А тыгъэм щыгуфIыкIат императорыр, абы щхьэкIэ лIыкIуэхэм хьэщIагъэшхуэ ярихауэ щытащ. А илъэс дыдэми, и лIыкIуэхэр Азия цIыкIум, Сэлджукъхэм я деж игъакIуэри, абыхэми ягурыIуащ. Апхуэдэурэ, абы и къарур зыдынэсыр, и бий къезэуэнкIэ хъунум ягуригъэIуащ. Бейбарс и лIыкIуэхэр Европэм и закъуэкъым зыдигъэкIуар Золотая орда-Лъэпкъ дыщэм и дежи игъэкIуащ. Абыхэм я щIыналъэ «КъэбджакъкIэ» зэджэу щытар къухьэпIэмкIэ Туркыстаным къыщыщIидзэрти, ХыфIыцIэм нэсырт. Я къалащхьэр Сэраи къалэрт. Мысырым и кхъухьыдзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар Бейбарсу къалъытэ. Тхыдэтх Мэкъризий[6] етх: «Кипр и пащтыхьым и лIыкIуэхэр Бейбарс щыхуигъэкIуам, ар кхъухьхэр щащI лэжьапIэм щIэту ирихьэлIахэщ, лэжьакIуэхэм пхъэхэр ядихьу. Ар зылъэгъуа лIыкIуэхэм, я пащтыхьым хуаIуэтэжащ ялъэгъуа телъыджэр». * И кхъухь зэгъэпэщамкIэ Хыкурытым техьэри, Iуфэм Iус Яфа[7] къалэ къищтащ, хыщхьэм Iус Антакие*7 къалэ дэлъадэри, абы къуэнтхъ куэд къыдахащ, шэрджэс муслъымэн зауэлIхэм «..ахъшэр фалъэкIэ зэхуагуэшащ, дэтхэнэ зы зауэлIым зы гъэр къылъысащ, ахэр псори ящащ». 1270 гъэм Триполи къалэ къищтащ, Ермэлы цIыкIумкIэ, езым и дзэпщ пщы Къалэун игъакIуэри, Сивас, Адэнэ[8] къалэхэр къащтащ. 1277 гъэм езы дыдэр ежьэри, мини 7 хъу тэтэрыдзэр зэтриукIащ, урым Сэлджукъхэм я къалащхьэ Къэисэрей[9] дыхьэри, и цIэр абы щигъэIуащ, цIыхубэми яхэпсэлъыхьащ, пащтыхь псалъапIэм тету. Бейбарс и зэфIэкIыр зауэ хэIущIэIухэм къыщынакъым, дин щIэныгъэми, ухуэнми, литературэми хэлIыфIыхьащ: езым и цIэкIэ Каир щаригъэухуащ мэжджытышхуэ. А мэжджытым тхылъеджапIи гуэтыжт, тхылъ гъуэтыгъуейхэр щIэлъу. Абы еджапIи хэтт, щезгъаджэхэм улахуэ яIэу, ирагъаджэри абы щыпсэууэ.* …………………………. * Мыхьмуд Рызкъ Сэлим, том 3, нап 40. 1263 гъэм унафэ ищIри, къэралым и гъунапкъэхэм быдапIэхэр, плъапIэхэр яригъэухуащ; плъапIэм итым бийр жыжьэу къызэрилъагъуу, жэщмэ, мафIэ пигъанэрт, махуэмэ, Iугъуэ дригъэхуейт. АбыкIэ хъыбар зэратыжырт, бийр я пэгъунэгъу щыхъукIэ. А быдапIэхэр IэщэкIи зэгъэпэщат, илъэсипщкIэ ярикъун гъуэмыли щыхъумат. 126I гъэм и лIыкIуэхэр Мэчэ-Мэдинэ игъакIуэри, абы щыIэ мэжджытхэр зэфIагъэувэжащ. Ар икIи лъэпкъщIэкъут, и лъэпкъэгъу шэрджэсхэр япэ иригъэщу, езым зришалIэхэу. Абы къыхэкIыуи Iэл-Къэлкъэшэндий* тхыдэтхым хужиIащ « пащтыхьыр и лъэпкъымкIэ ебэ хъуащ». Арати, Мысыр щIыналъэм щызеуащ шэрджэсхэр. Абыхэм яхъумащ щIыналъэр, щIэныгъэр ирагъэфIэкIуащ, муслъымэн динри зэфIагъэувэжащ. Абы унафэ къыдигъэкIащ цIыхухэр фадэ ефэ, зина ящIэ мыхъуну. Къэралым исыр зэрызэлъэIэсын пошт Iуэхури зригъэзэхуащ: гъуэгухэм бэтэгъей шухэр тетт, тхылъхэр зыр зым Iэригъэхьэу, адэкIэ зейм и деж лъагъэIэсыжу.* …………………………………… * Мыхьмуд Рызкъ Сэлим, том 1, нап 26, 27, 28. Бейбарс и шыфэлIыфэр тхыдэтххэм зэратхар мыпхуэдэущ: «КIыхьт, къуапцIэт, и нитIыр щIыхут, макъ IупщIт, езыр хахуэт, псынщIэт, и нэм щIыIуху телът зы мастэпэ инагъыу, шыбгым къемыхыу тест, шуууэ гъунапкъэр, бэтэгъейхэр къызэхикIухьырт, зы тхьэмахуэм тIэурэ топ джэгурт, зэм Дамаск, зэм Мысыр. Ар апхуэдизкIэ цIэрыIуэ хъуати, езыри и дуней тетыкIэри таурыхъыфэу къаIуэтэжырт*». ……………………………….. * Бацэжь, том 4\I, нап 227, 233, 234 Бейбарс, 1279 гъэм дунейм ехыжащ, илъэс 20-кIэ пащтыхьу тетауэ. И кхъэри и къуэ Мухьэмэд и кхъэри Дамаск дэт Амяд мэжджэтым, лэгъунэ щхьэхуэ щаIэу щIэлъхэщ. [1] Тэисир Хъэлаф (Хъэлифэ): Сирием щыщ тхакIуэщ, къэхутакIуэщ [2] Щихъ Издин: Пащтыхь Бейбарс псэуа щIэныгъэлIщ, тхыдэтхщ [3]Бын Тыгъри Бердий: Пащтыхь Бейбарс и лъэхъэнэм псэуа тхыдэтхщ, лъэпкъкIэ адыгэщ [4] Сивас: Тырку къэралыгъуэм хиубыдэ къалэщ [5] Хьэлэб: Сирие къэралыгъуэм хиубыдэ къалэщ [6] Ал-Мэкъризий: Пащтыхт Бейбарс и лъэхъэнэм псэуа тхыдэтхщ. [7] Яфа: Палестинэм хиубыдэ ЩIыкурытых Iуфэ Iус къалэщ. [8] Адэнэ: Тырку къэралыгъуэм хиубыдэ, ЩIыкурытых Iуфэ Iус къалэщ. [9] Тырку къэралыгъуэм хиубыдэ къалэщ, адыгэр куэду дэсщ. Пщы Бейбарс - тхакIуэр Пщы Бейбарс Дыуэдар-тхакIуэр 1274-1325 гъэхэм псэуащ. Ар Каир къалэ щылIащ нэщI мазэу, фокIадэм и 5-м. Бейбарс- тхакIуэр тхыдэтх цIэрыIуэщ, пащтыхь Бейбарс и лъэхъэнэм псэуащ, дзэпщуи щытащ. Ар къыщыхъуар Иракым хиубыдэ Мусил къалэращ. Абы и сабиигъуэр щырихьэкIащ а къалэм, 126I гъэм и тетым Каир къишэхукIэ. Каир къалэ Бейбарс щиджащ КъурIэныр, муслъымэн диным пыщIа щIэныгъэхэр. СулътIан Мухьэмэд Насир и етIуанэ тетыгъуэм Бейбарс-тхакIуэр пщыгъэм и нэхъ лъагэ дыдэр хуагъэфэщауэ щытащ. Бын Ияс, тхыдэтх цIэрыIуэм, Бейбарс-тхакIуэм тетхыхьу жиIащ: «..ЩIэныгъэлIт, бзэхэм хищIыкIырт, усэ дахи зэхилъхьэрт». Пщы Бейбарс тхылъитху къыщIэнащ тхыдэм, бзэм теухуауэ: …………………………………… Бейбарс Iэлджашинкир Мы Бейбарсри лъэпкъкIэ адыгэщ, щыри зэлъэхъэнэгъущ, ауэ мы Бейбарсым и цIэр ДжашинкиркIэщ зэрыIуар. «Джашинкир» псалъэр персыбзэщ, абы къокI пащтыхьым и шхыным кIэлъыплъ, жиIэу. Ар къэрал зехьакIуэхэм и къулыкъу инт а лъэхъэнэм. ЖыIэпхъэщ, Мысырым щекIуэкIа адыгэ пащтыхьыгъуэм и кIуэцIкIэ Бейбарс цIэр зэрихьэу цIыху I2 зэрыщыIар. Абыхэм щыщу пащтыхьыгъуэм нэсар тIущ: I) Бейбарс Iэлбундыкъдари 1260-1277, илъэс 17-кIэ тетащ. 2) Бейбарс Iэлджашинкири 1308-1309, зы илъэсщ пащтыхьу зэрытетар. Пащтыхь Бейбарс Iэлбундыкъудари и кхъэр Дамаск къалэ дэт Амяд мэжджытышхуэм щIэлъщ, пащтыхь Бейбарс Iэлджашинкир и кхъэр Каир къалэ щыIэщ. Ар абы щылIащ 1309 гъэм. Бейбарс Iэлджашинкири, султIан Мухьэмэд Насир и етIуанэ тетыгъуэм пащтыхь къуэдзэу щытащ (1299-1309) гъэхэм, ар икIи дзэзешэт, пащтыхь хъунуи ныкъуакъуэт. Бейбарс Iэлджашинкирым илъэкIащ тет пащтыхьыр тридзу езыр пащтыхь тахътэм итIысхьэныр. Ар цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуакъым, я псэукIэр иригъэфIэкIуэфыртэкъым, Нилым и псы лъахъшэ хъуами Iэмал къыхуигъуэтакъым, хьэпшыпхэм я уасэхэри хэхъуэ зэпытт, уз зэрыцIалэми нэхъ зиубгъурт, мэнгулымрэ жорзехьэхэм я дзэ шынагъуэу къыхуэкIуэми зэрыпэщIэувэн къару иIэтэкъым. Къэрал дэхуэхам и Iуэху фIы ищIыжын щхьэкIэ, еруагъ ямылей зэрихьами, фадэр ямыщэну унафэ къыдигъэкIами, цIыхубэр арэзы хуэщIакъым. Ахэр уэрамхэм къыдэувэти пащтыхьыр тахътэм текIыну хуагъэувырт. Апхуэдэу щыхъум, пщыхэр зэхуэсащ къэхъуам унафэ тращIыхьыну, зэхуэсахэм пщы Бейбарс Дыуэдар-тхакIуэри яхэтащ. Абыхэм пащтыхьыр текIын хуейуэ унафэ къызэдащтащ. Унафэр пащтыхь тетым къыщищIэм, къэрал ахъшэр зэщIикъуэри щIэпхъуэжащ. Бейбарс Iэлджашинкир- пащтыхьыр зэрыщIэпхъуэжу, абы ипэ тета Насир Мухьэмэд пащтыхьыр ещанэу тахътэм трагъэтIысхьэжащ. Тахътэм, и ещанэ тетыгъуэу трагъэтIысхьа Мухьэмэд Насир зэрызигъэбыдэу, щIэпхъуэжа пащтыхьыр къаригъэшэжри, ар ятхьэлэу Iуащхьэм щыщIалъхьэжыну унафэ яхуищIащ, а унафэри ягъэзэщIащ. Пащтыхь Бейбарс Iэлджашинкири псэу щIыкIэ фIыгъуэ гуэрхуэри хуэщIащ, псалъэм папщIэкIэ, абы иригъэщIа хьэщIэщыр нобэми Каир дэтщ. А хьэщIэщым мэжджыт хьэлэмэт дэтт, Бэгдади, нэгъуэщI щIыпIэ жыжьэхэм къикI сатуущIхэм щхьэкIи утыку зэгъэпэщэхар дэтт а ухуэгъуэ телъыджэм. А хьэщIэщым пщэфIапIэшхуи дэтт, шхыныгъуэ зэмыфэгъухэр щагъэхьэзыру, суфийхэмрэ факъырэхэмрэ екIуалIэу. Абы къыщIэнащ КъурIэн телъыджэ, дыщэпскIэ тхауэ, Iыхьибл хъууэ. КъурIэныр Лондон дэт тхылъ хъумапIэм щIэлъщ. Къалмыкъ Аднан Къалмыкъ Аднан Нэфисэт Гуащэ Ар Кавказым ирашащ хъыджэбз цIыкIуу. Мысырым и цIэр щыIуащ «Нэфисэт Iумахуэ», «Мурат и щхьэгъусэ Нэфисэт», «Къулейхэм я къулеиж», «Адыгэ пащтыхьхэм я анэ»-кIэ. Къыщалъхуа щIыпIэр зыми ищIэркъым, хэтым Анатолэ етх, хэтми Кърым, хэтми Кавказ жеIэ. Псоми зэрыдахэр я япэ псалъэщ, пащтыхь Али Бэч Ин* тыгъэу къыхуащIри, иужькIэ щхьэгъусэу къишэжащ. Ар и пщIантIэм дэт цIыхубз гупым хишри, Езбэчхэ я хьэблэм* щаухуауэ щыта хыжьей дахэм хэплъэу чэщанэ хуригъэщIри, абы щIигъэтIысхьащ. Али Бэч Ин зауэм щыхэкIуадэм, и дзэпщу щыта Мурад Бэч къишэжащ 1773 гъэм. ЖыIэпхъэщ, Нэфисэт и щхьэгъусэу щытам къыщIэна псори езымрэ зыдэкIуа Муратрэ къазэрыхуэнар. Абы къыщIэнат чэщанэ зыбжанэ, сату щIапIэ куэдхэр, мин 400 зи бжыгъэ дзэ зэгъэпэща, Нилым щызекIуэ кхъухь тедзэхэр, цIыхубз гъэру 56. Нэфисэт къыхуэна мылъкум хигъэхъуа фIэкIа хигъэщIакъым, Каир и дыхьэпIэхэм щыщ ЗуелэкIэ зэджэм деж цIыхубэм псы ефапIэрэ, еджапIэрэ яхуищIащ 1796 гъэм. Псы ефапIэр мрамэркIэ дэщIеят, Нэфисэт щытхъуу усэ сатриплI тетхат абы: ФIыщIэ хуэфащэщ псы ефапIэ зыщIам. И теплъэр дахэщ, гур зэлъыIуех. Псы къижыр Елфрат псыуэ къабзэщ, Нэфисэт ищIа тхьэщIагъыр ди гум имыхунщ. Псы ефапIэр зыхэлъ блыным щхьэгъубжищ хэлът, ар щащIатэм щыгъуэ, Каир къалэ абы хуэдэу 300 дэтащ, иджыпсту дэтыжыр 70 къудейщ. Абыхэм нэмыщIауи, Нэфисэт къалэм дищIыхьащ хьэмамитI, цIыхур абы щIыхьэрэ зигъэкъабзэу. ЗэрыжаIэжымкIэ, Нэфисэт кIасэу зэригъэщIэжа хьэрыпыбзэмкIэ еджэрт икIи тхэрт, къыдалъхуа бзэм хуэдэу. Абы ищIэрт тыркубзэри, франджыбзэри. Джэбэрти тхыдэтхым зэритхыжымкIэ, Нэфисэт и щхьэгъусэ Мурат хуэарэзытэкъым, европэм къикIа сатуущIхэм налог куэд зэрытрилъхьэм щхьэкIэ. Арауи жеIэ щхьэусыгъуэ хуэхъуар Франджым и дзэр Мысыр къришэнымкIэ. 1798 гъэм, бадзэуэгъуэ мазэм и 21-м пирамидэхэм деж щекIуэкIа зауэм Мурат и дзэр Наполеон и дзэм щыхигъэщIащ. Мурад Суданыр щтапIэ ищIащ, Нэфисэт Каир къыдэнащ, зэрыпхъуакIуэ къихьам цIыхубэр щихъумэну, и лъэпкъэгъу адыгэхэм къыщхьэщыжыну, иIэ мылъкушхуэр бийм IэщIимыгъэхьэну. Ар къалэн тынштэкъым, цIыхубз игъэзэщIэну ауэ, ар гугъуехьхэм пэщIэтащ, дипломат Iэзагъэ хэлъу. Нэфисэт цIыхубз дахэт, щIэныгъэ бгъэдэлът, адыгэ гуащэм хэлъ хьэл телъыджэхэр хэлът, цIыхубэм фIыуэ къалъэгъуат, бгъэдэлъ мылъкум щымысхьу зэрыпсапащIэм щхьэкIэ. Ар Каир дэс унагъуэ хуэмыщIахэм мазэ улахуэ япилъхьауэ етэрт. Апхуэдэу щытащ къулейсыз дыдэ щыхъуами. Нэфисэт и чэщанэм и хьэщIэщ бжэр сытым щыгъуи зэIухат щIэныгъэлIхэр щызэхуэсу, абы щызэдауэхэу, щызэчэнджэщу. Наполеонрэ Нэфисэтрэ зэкIэлъыкIуэрт, тыгъэхэри зэIэпахырт. Зы пщыхьэшхьэ гуэрым езы Наполеон кIуащ Нэфисэт деж, Нэфисэти ар игъэхьэщIащ, и щхьэгъусэ Жозфини тыгъэ хуищIащ налъкъутнэлмэсхэр зыхэгъэпщIа дыщэ Iэлъын лъапIэ. А тыгъэ лъапIэмкIэ къащIащ Нэфисэт и мылъкур зыхуэдизыр, Нэфисэти зэхихыжащ абы теухуауэ жаIар: «Абы хуэтынущ налог тетлъхьэр» Ар щызэхихым Нэфисэт жиIащ: «Ахэр згъэлъапIэу си мылъкум щыщкIэ сахуэупсэн хуеякъым-згъэдыгъуэн хуеящ». Хуэмытын налогышхуэ щытралъхьэм, Франджы республикэм и цIэкIэ къратауэ щыта сыхьэт лъапIэр езым иIа хъарзынэ псоми хилъхьэжри, яритауэ щытащ. Наполеон Мысырым икIыжа иужьи тыркухэм зэхэзехуэн ящIащ Нэфисэт, ягъэтIысынуи хэтащ, ауэ щIэныгъэлIхэр къыщхьэщыжри хуит къащIыжащ. Абы щхьэкIэ тхыдэтх цIэрыIуэ Фелекс Манжин жиIащ: «Ар дахэ дыдэу щытакъым, ауэ егъэлеяуэ Iущт. Уи пащхьэ къыщиувэкIэ уи щхьэр къэпIэту и нитIым ущIэплъэну утегушхуэртэкъым. АпхуэдизкIэ и щIыхьыр инти, гъэщхъауэ фIэкIа и пащхьэ уитыфынутэкъым». Нэфисэт дунейм щехыжам мылъку бгъэдэлъыжтэкъым, ауэ и щIыхьыр мыухыжыну цIыхум ягум къинащ. Франджым и дзэ Мысыр къихьам, зи пащтыхьыгъуэр икIа адыгэхэм я щIэблэхэр зэхэзехуэн ищIащ, егъэлеяуэ цIыхубзхэр. Нэфисэт а цIыхубзхэм ящхьэщытащ лей къатримыгъэхьэу. Ар тынштэкъым зи щхьэгъусэр щIэпхъуэжа цIыхубзым дежкIэ. Абы и щIыIужкIэ, мылъку къыхуэнари зехьэн хуейт. Ар Iэсэу хущытащ Наполеон и зауэлIхэми, абыхэм ящыщ уIэгъэ хъуамэ и чэщанэм щеIэзэт. Наполеон и дзэпщхэми щIыхьышхуэ къыхуащIырт Нэфисэт. Дзэм и дохутыр нэхъыщхьэ Деджынт Мысыр щыIэхункIэ абы щыета фэгъазэ узым теухуа тхылъ хьэрыпыбзэмкIэ итхам щыщ экзепмляр 50 иритауэ щытащ Нэфисэтым. Наполеон и гъэрыпIэ Сант Хеланэ хытIыгум щыIэу франдж тхакIуэ Лакруа иригъэтхыжырт игу къэкIыжхэр. А махуэкъэс тхыгъэхэм итт Нэфисэт и щхьэгъусэ Мурад щтапIэ щыIэу, пирамидэхэм я нэхъ лъагэм дэкIуейурэ, фэтыджэн уэздыгъэ нэхукIэ, унащхьэм тет Нэфисэт зэрепсалъэтэр. Нэфисэтым ар цIыхухэм ягъэхъыбарыжу щызэхихыжым, зыгуэр къращIэнкIэ шынэри, Наполеон и деж кIуащ, адрейми ар къригъэблэгъащ щIыхьышхуэ къыхуищIу икIи жыриIащ мыгузэвэну, и щхьэгъусэм хуэзэну хуейми, и хьэтыркIэ, зауэр зы жэщ зы махуэкIэ игъэувыIэну. Нэфисэт хуидакъым икIи жриIащ « И зауэлIхэр къигъанэу и фызым и деж къэкIуэж лIы сиIэкъым». Наполеон абыкIэ зыхуейтэр Нэфисэт фIы зыхуищIу и щхьэгъусэ Мурад, зауэ-банэ хэмыту гурыIуэнрат. Наполеон и ужькIэ Клибр къагъэкIуащ Мысыр. Мурадрэ абырэ зэгурыIуащ. Ауэ, Мурад Бэч 1801 гъэм, мэлыжьыхь мазэм и 22-м тало узым илIыкIащ, Нэфисэт и закъуэ къыхуэнащ мылъку хъумэнри, и лъэпкъэгъу адыгэ цIыхубзхэми лей къатемыгъэхьэныр. Мис а лъэхъэнэм Нэфисэт «Адыгэ пащтыхьхэм я анэ» цIэр теIукIащ. 1804 гъэм уэсмэнхэм Хъуршид Пэщэр Мысыр и уэлийуэ щагъэувым, ар ебзэджэкIащ Нэфисэтым икIи пцIы трилъхьащ къэралым бунт къиIэтыну хэту. Абы ипкъ иткIэ Нэфисэтыр хьэпсым щIадзащ ауэ, куэдрэ имысу, и телъхьэхэр щIэлъэIури кърагъэутIыпщыжащ. Абы и ужькIэ, 1805 гъэм Мухьэмэд Алий и тетыгъуэр къыщысми, Нэфисэтым уэху жрагъэIакъым, абы IэщIитхъащ мылъкуу къыхуэнэжар, ауэ и щIыхьым лъэIэсыфакъым. Нэфисэт Iумахуэ Мысырым щынэхъ цIыхубз къулей дыдэу псэуами, щынэхъ тхьэмыщкIэ дыдэу дунейм ехыжащ 1816 гъэм, мэлыжьыхь мазэм и 19, махуэку махуэу. Ар щIалъхьэжащ и япэ щхьэгъусэу иIа Али Бэч Ин и кхъэм бгъурыту. Абыхэм я кхъитIри щIэтщ, Али Бэч хуригъэщIауэ щыта, Каир дэт чэщанэм. ТIуми къащIэнэжа чэщанэри, чэщанэм щIэлъри Мухьэмэд Али Пэщэм зрилъэфIэлIэжри, езым и блыгущIэтхэр щIигъэтIысхьащ. Нэфисэт Гуащэ теухуа документ куэд щIэлъщ Каир и дэфтэр хъумапIэхэм. Абыхэм ярытщ хъугъуэфIыгъуэу иIауэ щытар, зыдэкIуар, здыщыIэри. ЕджапIэу ищIауэ щытам и къалэныр игъэзащIэри, егъэджапIэщIэхэр абы ипIэ иуващ; унэм и унащхьэр къиуащ, и блынхэр къещэщэхащ. Ар зэфIагъэувэжын щхьэкIэ къэралым мылъку хухихри, илъэсищкIэ илэжьа нэужь, езгъэщIауэ щытам и фэеплъу къагъэнащ. Франдж тхакIуэ Франсуаз Бротулей Нэфисэт и гъащIэ таурыхъыфэ зытеуам дихьэхри, абы трищIыхьащ и роман «Къулейуэ псэуащ, тхьэмыщкIэу лIэжащ» зыфIищар. _____________________________________________________________ *Али Бэч Ин: 1728-1773. И цIэ дыдэр Али Бэч Болэтщ, хэтми «Иусиф Дауд» етх, иджырей тырку къэралыгъуэм хыхьэ Амася къалэ къыщалъхуащ. 1517 гъэм, адыгэ пащтыхьыгъуэр еухри уэсмэнхэр къытохьэ. Адыгэхэм я пащтыхьыгъуэр иухами, я тетыгъуэр кIуэдакъым, ахэр тетахэщ уэсмэн сулътIанхэм я къуэдзэхэу, абыхэм я унафэхэр хьэрып щIыналъхэм щагъэзащIэу. А лъэхъэнэм къыхэжаныкIахэм ящыщщ Али Бэч Ин. Ар мысырым тетащ унафэ щищIу. Ари адрей адыгэхэм хуэдэу гъэру Мысыр къашащ, абы щагъэсащ, ирагъэджащ, апхуэдэурэ лъэгапIэхэм нэсащ. Езым и лъэхъэнэгъуу икIи гъунэгъуу зыцIыхуу щыта тхыдэтх Стафро Лансбан етх ар тыркум щыщ Амася къалэм щыщ поп гуэрым и къуэу; I728 гъэм къалъхуащ, илъэс пщыкIущым иту ядыгъури Каир къалэ яхьри абы пщы Iибрахьим Чэтхъэда щыращащ, абы ипIащ, игъэсащ. Илъэс тIощI щырикъум, зыщэхужа Ибрахьим щхьэщэхупщIэ щIитри, хуит къищIыжащ Али. Илъэс тIощIрэ тIум иту зыпIа Iибрахим I754 гъэм дунейм ехыжри, абы къыщIэна мылъкур Али къыхуэнащ. Псом япэу, и лъэпкъуэгъу адыгэхэр зришэлIащ. И къарур щырикъум, I763 гъэм Каир и тету захригъэхащ. Утыкур щызригъэгъуэтым, уэсмэнхэмрэ урысхэмрэ я зэхуаку къыдэхъуа зауэр къигъэсэбэпри, Мысыр псор зыIэщIилъхьащ. АбыкIэ иримыкъуи Щам щIыналъэмкIэ Iэбащ ари зыIэщIилъхьэну. Урысым зэгурыIуэныгъэ дитхащ якхъухьыдзэмкIэ и хы Iуфэхэр усмэнхэм щахъумэну, езыр абыхэм IэщэкIэ якъуэувэну. Ауэ, абы ирихьэлIэу икIи абы и щхьэусыгъуэкIэ уэсмэн сулътIаным унафэ къыдигъэкIащ Али Бэч Ин дэнэ щамылъэгъуами яукIыну. Ауэ Али Бэч Ин зыIэщIэкIуэдэжар уэсмэнхэракъым атIэ, езым и малъхъэ икIи и дзэпщу щыт Iэбу-Зэхьэб жыхуаIэращ. Ар и уIэгъэхэм илIыкIащ накъыгъэ мазэм и 26-м, I773 гъэм. Али Бэч и тетыгъуэр къигъэсэбэпкIэрэ и Iыхьлыхэр Кавказым къыщилъыхъуэну иужь ихьащ. Езым и блыгущIэт икIи и ахъшэIыгъ ТIэнтIауир игъэкIуащ Амася къалэ. ТIэнтIауир Амася къалэ къыщигъуэтащ Даукд жыхуаIэ попыр, Али и адэр. Адэри ипхъу Ехьуди къыздишэри Каир къэкIуэжащ ТIэнтIауи. Ахэр Али и пащхьэ щырашэм, и лъэгуажьитIыр щIым нэсыхукIэ зигъэщхъащ и адэм и IитIми бахэр хуищIащ. Али и адэр и къуэм зэрыщыIар мазибл къудейщ, къыздикIа Амася къалэ игъэзэжащ. Али Бэч Ин и лъэхъэнэм Мысыр и сатум зиужьащ. Тхыдэтххэм ар тхыдэм теухуа тхылъхэм еджэу, дихьэхыу, гушыIэ зымыщIэ лIы ерууэ зэрыщытар ятхыжащ. Абы щхьэгъусэу плIы иIащ: «Къадэн ХьэIишэт, «Чэлсэн Хъатун», езы Али псэу щIыкIэ дунейм ехыжащ, «Мунэур Хъатун», « Мурадей Нэфисэт» Иужьрей Нэфисэт псом нэхъыфIу илъагъурт, езы Нэфисэти цIыху Iущт, еджати, цIыхубэм щIыхьышхуэ къыхуащIырт. Аращ «Адыгэ пащтыхьхэм я анэ»-кIэ зэджахэр. *Езбэч хэблэ: Мысыр и къалащхьэ Каир дэт хьэблэжьхэм ящыщ зыщ. Ар зухуауэ щытар ТIытIыхъу и къуэ Езбэчхэ Сефудинщ. Сефудин пащтыхь Темрыбгъи, къэтбии я лъэхъэнэхэм дзэпщу щытащ. Хьэблэм и ухуэным щыщIадзар 1475 гъэращ, пащтыхь Къэтбей и тетыгъуэм. А щIыпIэр пщы Езбэч игу ирихьри, Нилым хэша псыкIэ хыжьей щищIащ, жыгхэр щыхисащ, удзгъэгъахэр щигъэкIащ. Абы текIуэдащ динар минищэ. I477 гъэм хыжьейм IуищIыхьащ мэжджыт екIу, чэщанэ дахэ. А мэжджытыр щытащ франджыр къихьэу ар сату щIапIэ ящIыху. Хыжьейри щытащ Хъыдеви Iисмахьил къытехьэу, I869 гъэм, унэ оперэр ищIыху. Езбэч Сефудин ищIа хьэблэ уардэм теухуауэ усакIуэхэр хъуэхъуащ. Абыхэм яусахэм щыщщ мы сатырхэр: «Ди зиусхьэн Езбэч и чэщанэм, ФIыгъуэр вагъуэбэу и щхьэгъубжэхэм къыдоплъ». Зэманым декIуурэ Езбэчхэ я хьэблэм зиужьащ, абы бгъуращIыхьащ КъубтIхэм я хьэблэр, хьэблэм я чылиси дэтыжу. Абы ищхъэрэкIэ журт хьэбли щаухуащ. Езбэчхэ я хьэблэм чэщанэ дахэхэм нэмыщIауи сэрей лъагэхэмкIэ къэхухьауэ унэшхуи дэтащ. Абыхэм ящыщ зыщ Мухьэмэд Али и сэрейр, Наполеон и дзэм къыхуэнэжар. Абыхэм ящыщщ Али Бэч Ин и щхьэгъусэ Нэфисэти хуиухуауэ щытар. Нэфисэт абы щыпсэуащ 1773-1816 гъэхэм. А сэрейхэмрэ чэщанэхэмрэ хъугъуэ фIыгъуэм къикъутэрт, тхылъ лъапIэхэр щIэзт. Хьэблэм утыку иIэти ар цIыхубэ зэхуэсыпIэт, махуэшхуэхуэр щырагъэкIуэкIырт, суфийхэм я ныпхэр яIэтауэ къыдыхьэрти абы щыпэкIурт. Адыгэ пащтыхьхэр - Мысырым Къалмыкъ Аднан Хэзыгъэгъуазэ Тхылъым къалэну зыхуегъэувыж адыгэ лъэпкъым икIуа зы гъуэгуанэ наIуэ къищIыну: I250-I5I7 гъэхэм, хьэрып-муслъымэн щIыналъэхэм щыIа "адыгэ пащтыхьыгъуэр". А пащтыхьыгъуэм муслъымэн кулътурэри, хьэрып щIыналъэри щихъумащ жорзехьэхэмрэ тэтэр-мэнгол зэрыпхъуакIуэхэмрэ. Абы щхьэкIэ адыгэм къэралыгъуэ иухуащ и нэхъыщхьэр адыгэ пащтыхьу, хабзэр зубзыху, езыгъэфIакIуэ, зыгъэзащIэ къэрал пкъыгъуэхэри зэфIигъэуващ, ахэр къэзыхъумэ дзэ лъэщи зригъэпэщащ. Ди адэжьхэм къагъэщIа а дунейр, дунейпсо тхыдэм хыхьащ, хьэрыпым и тхыдэм щыщщ. Ар ди тхыдэ хъужьын щхьэкIэ, иджырей адыгэбзэмкIэ тхыжауэ ди лъэпкъым и пащхьэ илъхьэн хуейуэ къыдолъытэ. Хьэрып щIыналъэм щекIуэкIа "Адыгэ пащтыхьыгъуэм" щыщ гуэрхэр ихъумащ адыгэ IуэрыIуатэм, тхыдэр IуэрыIутэм зэрыпытщIэфын лъагъуи къытхуигъэнащ. Лъагъуэм и нэхъыщхьэр тхыдэм а пащтыхьхэр адыгэу зэритхырщ, IуэрыIуатэр абы зэрыпыщIамкIэ нэхъыщхьэу къигъэлъагъуэр Инал Нэхущ, Къэбэрдейм и къежьапIэрщ. Абы зэпещIэ IуэрыIуатэмрэ тхыдэмрэ. Тхылъым и къалэнщ, Инал Нэху мыхъыбару, тхыдэ пэжым и къэухьым иригъэувэныр. Ари утыку кърилъхьэн щхьэкIэ, къэхутэныгъэу иригъэкIуэкIахэм я тегъэщIапIэ щыпкъэхэри еджакIуэм и пащхьэ идолъхьэ. Тхылъым итщ «шэрджэс пащтыхьхэм» я лъэхъэнэм псэуа шэрджэс тхыдэтх цIэрыIуэ Ибн Ийяс теухуа тхыгъэ. Абы итхыжащ а лъэхъэнэм и къэхъукъащIэу и нэгу щIэкIа псори. «Шэрджэс пащтыхьыгъуэр» иухыу уэсмэнхэм я тетыгъуэр къыщежьэми, адыгэр а лъэхъэнэм хэтащ лIыщхьэу, япэм хуэдэу, пащтыхь увыпIэм нэмысыжахэми, абы къыкIэлIыкIуэ увыпIэр куэдым яIыгъащ. А лIыщхьэхэм теухуа тхыгъи щибгъуэтэнущ тхылъым. Тхылъым цIэ гъэлъагъуэ иIэщ, цIэхэм, щыIэцIэхэм, щIыпIэцIэхэм ущигъэгъуэзэн папщIэ. Абы адэкIэ «тегъэщIапIэхэр» итщ, ахэр еджакIуэм, къэхутакIуэм къыхуэщхьэпэну ди гугъэщ. Иужь дыдэу псалъащхьэхэр итщ. Адыгэ пащтыхьхэр - Мысырым Тхыдэтххэм зэратхыжымкIэ, Мысырыр, Щам щIыналъэри къыдэкIуэу адыгэхэм яIыгъащ илъэс 267-кIэ. Абыхэм яужькIэ тепщэгъуэр уэсмэнхэм яIэщIыхьэри, адыгэр къинащ, уэсмэнхэм я унафэхэр а щIыналъэм щыпхрагъэкIыу, илъэс 388—рэкIэ. Уэсмэн империем иужькIи адыгэхэр Мысырым и къэралыгъуэщIэм хэлIыфIыхьащ. Япэ Адыгэ гупыр, «бэхьритхэм» я тепщэгъуэращ. Ар I250 гъэм къыщыщIедзэ, I380 гъэм еух. ЕтIуанэ гупыр бурджитхэм я тепщэгъуэм хэтахэрщ, ар I382 къыщыщIедзэри, I5I7 гъэм еух. Адыгэхэм я ещанэ лъэхъэнэр, адыгэпщхэм я тетыгъуэрщ, ар I5I7 гъэм къыщыщIедзэри, I8II гъэм еух, еплIанэр Мухьэмэд Алий Пэщэ Ин и деж къыщыщIедзэри, пащтыхь Фарукъ и деж щеух, I952 гъэм, етхуанэр I952 гъэм къыщыщIидзэри, нобэми къосыр. Иужьрей гупым яхэтащ адыгэ лъабжьэ зиIэ лIыщхьэхэр, политикэм, дзэм, экономикэм, литературэм, щэнгъуазэм, щIэнгъуазэм, гъуазджэм куэд хащIыхьауэ. Тхыдэтх (Lane poole) зэритхыжымкIэ Мысырыр зыIыгъа бэхьритхэм яхэта адыгэхэр ХыфIыцIэ Iуфэм Iус адыгэхэм ящыщщ. Абыхэм нэхъ цIэрыIуэу къахэкIащ Шэрджэс Фэхъуруддин Ияз. * Фэхъуруддин Ияз, пащтыхь Ал-Хьадил и лIыкIуэу Баняс, Тубнин, Ханин* щIыпIэхэм щыIащ. Аращ Каир дэт мэжджытышхуэр езгъэщIар, Дамаск дищIыхьауэ щыта адыгэ еджапIэм щыщу къэнэжар унащхьитIщ. Ар дунейм ехыжащ I260 гъэм, щыщIалъхьэжащ адыгэкхъэ Къас Ин –Къасиун* бгым тетым. ………………………………………………. * Бацэжь, том 4\I, нап 2I0. * Щам щIыналъэм хыхьэ къалэхэщ * Дамаск къалэ бгъурыт бгыращ. Шэфикъ Исмахьил, «ЛIыхъужьхэр…ЗауэлIхэр…лIыщхьэхэр», Дамаск 2007 гъэ, нап II0. Аииубитхэм я лъэхъэнэм дзэпщу щытар Акъ ТIаищ. Абы къыкIэлъыкIуащ, Пащтыхь Сэлэдин и дзэзешэ Бейбарс. Абы къыкIэлъыкIуащ Бейбарс и къуэ Бырчы (Бэрэкэ). Сэлэдин дунейм ехыжа иужь къыкIэлъыкIуа пащтыхьыр цIыхубзщ, Шэджэрэтуд-дур жыхуаIэр. Шэрджэс пащтыхьу япэ лъэхъэнэм тетахэмрэ зэрытета илъэс бжыгъэмрэ I – Салихь Аииубий и щхьэгъусэ Шэджэрэтуд –дур махуэ 80-щ зэрытетар 1250 2 – Издин Аибэч- I250-1257 3- Нурдин Аибэч (Издин и къуэщ) I257-1259 4- Сеифуддин ГутIэжь I259-1260 5- Бейрбас Рукнуд-дин I260-1277 6- Бейбарс и къуэ Бырч Мухьэмэд I277-1279 7- Бейбарс и къуэ Сэлэмыш I279 8- Къалэунэхэ Сефуд-дин I279-1290 9- Къалэунэхэ Хъэлил I290-1293 I0- Къалэунэхэ Мухьэмэд I293-1294 II- Чэтбгъэ Зенуд-дин I294-1296 I2-Лашын Хьусамуд-дин I296-1299 Къалэунэхэ Мухьэмэд (етIуанэу) I299-1309 I3- Бейбарс Рукнуддин Алджашинкир I309-1310 «япэракъым, абы и цIэджэгъущ, пащтыхьу зэрытетар мази I0-рэ махуэ 24-рэщ». Къалэунэхэ Мухьэмэд (ещанэу) I310-1341 I4- Къалэунэхэ Абубэчыр I34I I5- Къалэунэхэ Кучыку I34I-1342 (мази 5 хуэдизщ зэрытетар). I6- Къалэунхэ Ахьмэд I342 (мази 2-рэ, махуэ I2-рэщ зэрытетар). I7- Къалэунэхэ Исмел I342-1345 I8- Къалэунэхэ Шыхьбан I345-1346 (Зы илъэсрэ, мазитIрэ ныкъуэрэщ зэрытетар) I9- Къалэунэхэ Хьэжы I346-1347 (Зы илъэсрэ, мазищрэ, махуэ I8-рэ тетащ). 20- Къалэунэхэ Хьэсэн I347-1351 2I- Къалэунэхэ Сэлэдин I35I-1354 Къалэунэхэ Хьэсэн (етIуанэу) I354-1361 22- Хьэжы Мухьэмэд I361-1363 23- Къалэунэхэ Хьусен и къуэ Шыхьбан I363-1377 24- Къалэунэхэ Шыхьбан и къуэ Алий I377-1382 25- Шыхьбан и къуэ Амир хьэжы I382 (Зы илъэсрэ, мази 7-рэ тетащ). * ………………………… *Мыхьмуд Рызкъ Сэлим, том 1, нап 23,40. * «Шэрджэс пащтыхьу япэ лъэхъэнэм тетахэмрэ зэрытета илъэс бжыгъэмрэ» зэкIэлъыхьыкIэр Замбару и «Муслъымэн тхыдэм къыщыкIуа пащтыхьхэр» жыхуиIэ псалъалъэм Бацэжьым кърихащ, том4\I, нап 2I9, 220, дэ абы дыхэлэжьыхьыжащ. Къалэунэ и къуэ Мухьэмэд Насир илъэс 45-кIэ тетащ пащтыхьу, щэрэ техьэурэ текIыжащ, абыхэм я зыхэз тетыгъуэр илъэс 32-рэ йукъуэдиящ. Бейбарс илъэс 20 хуэдизкIэ тетащ, Къалэунэ и къуэ Мухьэмэд илъэс I3-кIэ тетащ. Къалэунэ и къуэрылъху Насир и къуэ Хъусен илъэси – 7-кIэ тетащ, Аибэч Издин илъэси 7, къэнар зэрытетахэр мазэ бжыгъэщ. ЩIэныгъэлI Щехъ Захьид Ал-Каусэрий зэритхымкIэ, Къалэунэхэ убых адыгэщ, я унэцIэр бырчщ. Абы къыхэкIыуи, я тетыгъуэм БэхриткIи* еджахэщ, бурджиткIи еджахэщ. ………………………………………………….. * Бацэжь Мухьэмэд-Хъер, "адыгэ тхыдэм и щIэнгъуазэ" том 1 1. Шэджэрэтуд-дур:1250 Языныкъуэ тхыдэтххэм ар адыгэу жаIэ, хэти ермэлыуэ етх. Муслъымэн-хьэрып къэралыгъуэм мыбы и пэкIи и ужькIи цIыхубз пащтыхь зэи иIакъым. Шэджэрэтуд-дур и щхьэгъусэ пащтыхь Сэлэдин Индием щыIэ и къуэ Туран Шах 1250 гъэм Мысырым къешэжри, мазаем и 27-м тахътэр IэщIелъхьэ. Накъыгъэ мазэм и 2-м, ХьиджрэмкIэ 648-нэ гъэм, Акъ ТIаи и къуэ Фарисрэ Бейбарсрэ зэгурыIуэри (тIури адыгэ дзэпщщ), Туран Шах яукIащ. Абы и деж щеух Аюбидхэм я къэралыгъуэ илъэс 80-кIэ къэгъуэгурыкIуар. Абы къыкIэлъыкIуащ Бэхьрит пащтыхьхэм я лъэхъэнэр. Абыхэм 1250 - 1382 гъэхэм яIыгъащ Мысырымрэ Щамрэ. Инджылыз тхыдэтх Пул Лейн зэрыжиIэмкIэ, Аюбидхэм я иужьрей пащтыхьыр Акъ ТIаирэ Бейбарсрэ яукIа иужь, Шэджэрэтуд-дур гуащэр пащтыхь тахътэм тотIысхьэж. Ар къыщыхъуар 1250 гъэм и накъыгъэ мазэрщ. А цIыхубзым теухуауэ хьэрып-адыгэ-абазэ тхыдэтх цIэрыIуэ Ибн Ийяс етх: «ЦIыхубз ерыщт, лъэщт, пагэт, и щхьэ щыгугъыжт». Шэджэрэтуд-дур пащтыхь гуащэу зэрыщытар махуэ 80 къудейщ. Абы и ужькIэ пащтыхь 24-рэ къытехьащ, абыхэм ящыщу 21-р лъэпкъкIэ адыгэщ, псори Къалэунэ унагъуэм щыщхэщ. 2. Издин Аибэч 1250 - 1257 Издин Аибэч лъэпкъкIэ тыркумэну ятхащ. Ар Iэюб и къуэ Нэжмудин ейуэ щытати, хуит къищIыжри пщы увыпIэм нэсащ. Пащтыхьыр дунейм щехыжым, къэрал зехьэныр езым и пщэ къыдэхуащ, Индием щыIэ Туран Шах къэсыжыхункIэ. Туран Шах къыщысыжым, Издин зи нэхъыщхьэу пIалъэкIэ къэралыр зезыхьа пщы гупыр абы пэуващ. ЗэгурымыIуэныгъэ яку къыщыдэхъуэм, Туран Шах яукIащ. Тахътэр нэщI щыхъум, дунейм ехыжа пащтыхь Нэжмудин и щхьэгъусэ Шэджэрэтуд-дур унафэщIу ягъэуващ, къэралыр Издин Аибэч зэрихьащ. Шэджэрэтуд-дур пащтыхьу махуэ 80-кIэ тетри, езыр текIыжащ, и пIэкIэ Издиныр тахътэм тригъэтIысхьащ, иужькIи абы дэкIуэжащ. Издин и пащтыхьыгъуэр нэхъ игъэлъэщын щхьэкIэ, езым къыкъуэт пщыхэм я жэрдэмкIэ, Аюбидхэм я щылъху Музафар Iэд-дин Исуф щIалэр къагъуэтри, ар трагъэтIысхьащ пащтыхь тахътэм (и ныбжьыр илъэс 20-т зэрыхъур). Апхуэдэу къэралым пащтыхьитI иIэ хъуащ. ИужькIэ пащтыхьитIыр зэгурыIуащ: Издин Мысыр щIыналъэм пащтыхьу къытенэну, Исуфыр Щам щIыналъэм и унафэщIу щытыну. Зэман дэкIри, Издин Аибэч и ныкъуэкъуэгъухэм ебзэджэкIри, пащтыхьыгъуэр зыIэщIиубыдащ. Ныкъуэкъуэгъуу къыхуэнар и щхьэгъусэ Шэджэрэтуд-дурт: щхьэгъусэ етIуанэр къишэну къыщищIэм, къыхуидакъым, щхъухькIэ игъэлIащ. Иужьым езы Шэджэрэтуд-дури яукIыжащ. Ар иригъэукIащ Издин и къуэм и анэм: пащтыхь чэщанэм щIэс цIыхубзхэр къызэщIигъэстри, зэрыжаIэжымкIэ, хьэмэмым пхъэ вакъэкIэ щIаукIыхьащ.Тхыдэтх, тхакIуэ цIэрыIуэ Джорджи Зидан итхыжащ «Шэджэрэтуд-дур» фIэщыгъэр зиIэ роман. Издин яукIа иужь, езым и къуэ Алий пащтыхь тахътэр лъагъэсащ. Абы фIащат Iэл-Мэнсур Нуруд-дин ибн Iэл-Мухьэз цIэр. 3. Iэл-Мэнсур Нуруд-дин ибн Iэл-Мухьэз 1257 - 1259 гъгъ Езым и цIэр Алийщ, «Нуруд-дин»-р и цIэлейщ, пащтыхь Издин Аибэч и къуэщ. Пащтыхьыгъуэр щылъагъэсам ныбжькIэ щIалэти, къэралыр ГутIэжь дзэпщым зэрихьащ. А лъэхъэнэм ирихьэлIэу тэтэрхэр къызэрыIэтри, Багдад къалэ зэтракъутащ, абы дэса Аббасидхэм я хъэлифатри зэбграхуащ. АдэкIэ Мысырри Щами къащтэну ягугъащ. Мысыр къэралыгъуэм и унафэр зыIэщIэлъхэм къахуэкIуэ тэтэрхэм зэрапэщIэувэн къару къыщалъыхъуэм, узыщыгугъын пащтыхь лъэщ яIэмэ нэхъыфIу къалъытэри, я пащтыхь Нуруд-диныр трагъэкIри, дзэпщ ГутIэжь абы и пIэкIэ трагъэуващ. Нуруд-дин пащтыхьу зэрытетар илъэситIрэ мази 8-рэщ. 4. Iэл-Музэффэр Сэифуд-дин ГутIэжь 1259-1260 «Iэл-Музэффэр» цIэлейщ, «текIуэныгъэр, ехъулIэныгъэр»-жиIэу къокI, «Сэифуд-дин»-ри цIэлейщ «диным и сэшхуэ» жиIэу къокI, «ГутIэжь» и цIэращ; хьэрыпыбзэмкIэ зэратхар «КъутIыз», къызэрапсэлъар «КъутIыз, КъэтIэз». ГутIэжьыр Аибэчхэ я блыгущIэту щытащ. Абы пащтыхьыгъэр щылъысар езым япэ ита Нурдин и ужькIэщ. Езыращ Нурдини, Нурдин и къуэшри, я анэри хьэпсым иридзэу, пащтыхьу теувар, тэтэр къэпщхэм, ахэр зэран къыхуэмыхъуу, лъэщу япэщIэувэныр и щхьэусыгъуэу. Езым къызэрилъытамкIэ тет пащтыхьыр ныбжьыщIэщ икIи зауэ хэIухуэщIэхэм хуэгъэсауэ щымытщ. ГутIэжьыр пащтыхьу зэрытеувэу, тэтэрхэм зэрыпэщIэувэн къарур зригъэпэщу щIидзащ. Тэтэрыдзэм Хьэлэб къалэ къищтэри зэтрикъутащ, адэкIэ зигъазэри, Дамаск къалэ иунэтIащ ари къищтэну. Ар къащтащ, къалэм и унафэщIу тетари щIэпхъуэжащ. Дамаск дэт тэтэрыдзэм и пашэм ГутIэжьым лIыкIуэхэр къыхуигъэкIуат, зыкъитын хуейуэ зэрыт тхылъ иIыгъыу. и тхылъи иратыжащ, ГутIэжьым лIыкIуэхэр иукIащ, и дзэпщхэр зэхуишэсри, къимыкIуэту зэрызэуэнум зыхуагъэхьэзырыну ягуригъэIуащ. И дзэ зэгъэпэщар щIыгъуу, Палестинэ щIыналъэм хыхьэ «Хьен Джалут», «Бисан» щIыпIэхэм деж щапэуври, тэтэрыдзэр Евфрат псыежэхым адэкIэ ихужащ. А текIуэныгъэмкIэ ГутIэжьым хьэрып щIыналъэри, муслъымэнри тэтэр зэрыпхъуакIуэхэм щихъумащ, езым и щIыналъэри, нэхъри нэхъ ин ищIащ. ГутIэжьым текIуэныгъэр къихьауэ Мысыр къызэригъэзэжу, и дзэпщхэм щыщ Бейбарс, езым хуэдэ дзэпщхэри къигъэдаIуэри, ГутIэжьыр пащтыхь тахътэм традзри, Бейбарс пащтыхьу тоувэ. ГутIэжьыр пащтыхьу зэрытетар зы илъэс иримыкъущ. 5.Пащтыхь Бейбарс: 1260-1277 Бейбарс пащтыхьу тетащ 1260-1277 гъэхэм. Езыр къызыхэкIа лъэпкъым теухуауэ хэтым тыркущ жеIэ, хэтми тэтэрщ жеIэ, хэтми адыгэщ жеIэ. Иужьрей илъэсхэм Казахъхэм, Мысыр щагъува сирялым тращIыхьри, Бейбарс казахъыу къагурыIуэри, иджы тет я президент Назарбаевым и унафэкIэ кино къыдагъэкIыну и ужь ихьахэщ, ар я лъэпкъ лIыхъужьу къалъытэу; адыгэхэм адыгэу жаIэ, абы теухуауи къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкI. Сирием щыщ тхакIуэ Тэисир Хъэлаф* и къэхутэныгъэхэм, Бейбарс адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIамкIэ тегъэщIапIэхэр къегъуэт: * «Бейбарс и лъэхъэнэм, «адыгэ», «Шэрджэс» псалъэхэр къежьатэкъым, Кавказым щыщ псоми щхьэкIэ «тырку е тэтэр» жаIэрт. Ар зэщхьыр, Уэсмэн империем щыгъуэ Латин Америкэм Iэпхъуа хьэрыпхэр, нобэми тыркуущ зэралъытэр, ахэр апхуэдэу икIауэ щытащи». ………………………………. * «бэхьрит» псалъэр хьэрыпыбзэщ, « хы, тенджыз» къокI. ЩхьэщэхупщIэ щIату къащэхужа адыгэр, хы Iуфэм Iут еджапIэм щIагъэтIысхьэрти, абы щрагъаджэрт, щагъасэрт. А еджапIэр къэзухахэм, щIыпIэм елъытауэ, «бэхьрит» цIэр ятеIукIащ. * Сирием щыщ тхакIуэщ. *«Эльбрус» журнал, Дамаск, №22, 2007 гъэ. НэгъуэщI тхыгъи щыIэщ, Бейбарс адыгэу зэрыщытыр къигъэлъагъуэу. А тхыгъэр езы Бейбарс итхыжу Темыр ЩIакъуэ хуригъэхьауэ щытарщ. Абы щыжеIэ: « "Хьен-Джалут* зауэм фи напэр тезыхауэ щытар Шэрджэс зауэлIхэрщ…" ЗэрытщIэщи, а зауэр зезышэу щыта дзэпщхэм яхэтащ Бейбарс. Бейбарс и тхыдэр зытхыжахэми къыхагъэщащ, абы тыркубзэ имыщIэу зэрыщытар. Бейбарс илъэкIащ Багдад къалэ тэтэрыдзэр дихужу, Аббасидхэм я хъэлифатыр абы дигъэтIысхьэжыну, Европэм щыIэ пащтыхьхэм запищIэу зэгурыIуэныгъэхэр ядитхыну, "Дыщэ лъэпкъым («урысыбзэкIэ – «Золотая орда») мамырыгъэкIэ ягурыIуащ, езым и кхъухьыдзэ хым тетыр иригъэфIэкIуащ, псоми ятекIуэн хуэдэу; жор зехьэхэм япэщIэувэри, и щIыналъэр-муслъымэн щIыналъэр абыхэм ящихъумащ. I266 гъэм, пщы Къалэунэ езым и дзэзешэу, Ермэлы зэщIэхъеяхэм я деж игъакIуэри, ахэр япIэ иригъэувэжащ, я пащтыхь Хьесум и къуэр гъэр къищIри, къэкIуэжащ, илъэс къэс тезыр пыухыкIа ятыну яхуигъэуври. Пащтыхь Бейбарс муслъымэн хьэрыпхэм куэд яхуищIащ я щIэнгъуазэр, я бзэр, езыхэр къызэтенэнымкIэ. Ар ерыщт Кавказым ис и лъэпкъэгъухэр зэришэлIэнымкIэ, къишахэм я бжыгъэр шууей мин 40-м нэсат. Пащтыхь Бейбарс щIэныгъэлIхэм щIыхьышхуэ яхуищIырт: пащтыхьу хахын щхьэкIэ цIыхубэри, динымкIэ щIэныгъэлIхэри щыхьэт техъуэн хуейт, а увыпIэр абы зэрыхуэфащэмкIэ. Ахэр псори хуэарэзыт, ауэ щихъ Издин* гурыщхъуэ къытрихьэрт, Бейбарс щхьэхуитрэ мыщхьэхуитри, бзыщIи, шыни химылъхьэу, езы сулътIан хъунури яхэсу щIэупщIащ: « Уэ, Рукнуд-дин! ( "рукнуд-дин" пащтыхь хъуну Бейбарс зыгъэлъапIэ цIэлейращ) Сэ зэрысщIэмкIэ, Уэ бындыкъударийм ("бындыкъударий" топ гъауэхэм я унафэщIщ) уарейщ. А зыдыщысхэм, Бейбарс къыщIишащ, Бындыкъударийм щхьэщэхупщIэ ириту хуит зэрыхъужамкIэ щыхьэту техъуэхэр. Абы и ужькIэщ, Бейбарс пащтыхь тахътэр щылъагъэсар. ЗэрыжаIэжымкIэ, Щихъ Издин лIауэ щыдахыжым, пащтыхь Бейбарс жиIауэ жаIэж «Иджыщ пащтыхь сыщыхъуар, мо щихъыр цIыхубэм захуигъазэу, мыр пащтыхь хъунукъым яжриIамэ, си тетыгъуэр абы и деж щиухат». * …………………………….. *«Хьен джалут» Пащтыхь Сэлэдин и дзэр Жорзехьэхэм я дзэм щытекIуа щIыпIэм и цIэщ. Абы щыгъуэм Сэлэдин и дзэпщу щытар Бейбарсщ. *Издин Ибн Абус-Сэлам (577-660), динымкIэ щIэныгъэлIщ (Мыхьмуд Рызкъ Сэлим) том 3, нап I76. * Мыхьмуд Рызкъ Сэлим, том 3, нап I82. Бейбарс Мысыр къызэрыщыхутам теухуауэ Бын Тыгърий Бердий тхыдэтхым етх: «Щехъ Издин къызжиIащ, пщы Бэдрудин къыжриIэжауэ, Бейбарс Кабчакым-Кавказым кърашауэ I225 гъэхэм. КъыщIрашам и щхьэусыгъуэри мырат: Тэтэрхэм гъэру яубыдам дахэтт, сэрэ Бейбарсрэ, (абы щыгъуэм ар илъэс I4-м итт) ящахэм я гъусэу Сивас къалэ дахуащ; Сивас къалэ дыщызэфIэкIуэдри, етIуанэу дыщызэрыгъуэтыжар Хьэлэб къалэрщ. Езыр абы ирашри, Каир къалэ дэс пщы Алэдин Идкин Бындыкъударий иращащ…».* …………………………………….. *Бацэжь, том 4\I, нап 225. Мысыр щекIуэкIа япэ шэрджэс къэралыгъуэм хуэлъэкIат щIыналъэм ис бидуинхэр игъэIэсэну, ЩамкIэ щыIэ Аиубитхэм я щIэблэри игъэбэяуну, кхъухьыдзэри лъэщу икIи шынагъуэу хым щызригъэкIуэну. Бейбарс сулътIану зэрытеувэу, зы зэманым къриубыдэу, зэщIэхъэиныгъэу тIу Iууащ, зыр Каир кIуэцI, етIуанэр Дамаск. Каир къыщыхъеяхэри, Дамаск щызэщIэхъеяри игъэужьыхащ, къарукIэ. Ещанэ Iуэхуу абы къыпэщылъыр, аббасидхэм я хъэлифатыр зэфIэгъэувэжынрати, ари зэфIигъэкIащ. Къэрал щIыбымкIэ нэхъ шынагъуэу щыIэр жорзехьэхэмрэ, мэнголхэмрэти, абыхэм зэгурыIуэныгъэ быдэкIэ ягурыIуащ: I262 гъэм Византием я император Михаил еянэ Балилодж зэгурыIуэныгъэ тхылъ дитхащ, Наполи и император Фридрик етIуанэм хуригъэхьа зэгурыIуэныгъэ тхылъым нэмыщIауи, лIыкIуэ хуищIа гупым я гъусэу тыгъэ лъапIэхэри хуригъэхьат: жураф, «Хьен Джалут» зауэм гъэр къищIауэ щытахэм щыщ гупи ядэщIыгъут, ахэр яшхэм тесу, я Iэщэ-фащэри якIэрылъу. А тыгъэм щыгуфIыкIат императорыр, абы щхьэкIэ лIыкIуэхэм хьэщIагъэшхуэ ярихауэ щытащ. А илъэс дыдэми, и лIыкIуэхэр Азия цIыкIум, Сэлджукъхэм я деж игъакIуэри, абыхэми ягурыIуащ. Апхуэдэурэ, абы и къарур зыдынэсыр и бий къезэуэнкIэ хъунум ягуригъэIуащ. Бейбарс и лIыкIуэхэр Европэм и закъуэкъым зыдигъэкIуар, Лъэпкъ Дыщэм и дежи игъэкIуащ. Абыхэм я щIыналъэ «КъэбджакъкIэ» зэджэу щытар къухьэпIэмкIэ Туркыстаным къыщыщIидзэрти, хы ФIыцIэм нэсырт. Я къалащхьэр Сэраи къалэрт. Ахэр Тэтэртуп фIэмыкIхэу къыщигъэувыIахэщ. Мысырым и кхъухьыдзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар Бейбарсу къалъытэ. Тхыдэтх Мэкъризий етх: «Кипр и пащтыхьым и лIыкIуэхэр Бейбарс щыхуигъэкIуам, ар кхъухьхэр щащI лэжьапIэм щIэту ирихьэлIахэщ, лэжьакIуэхэм пхъэхэр ядихьу. Пащтыхьыр Iэпщэрылажьэхэм ядэлажьэу зылъэгъуа лIыкIуэхэм хуаIуэтэжащ я пащтыхьым, ялъэгъуа телъыджэр». * И кхъухь зэгъэпэщамкIэ Хыкурытым техьэри, Iуфэм Iус Яфа къалэ къищтащ, хыщхьэм Iус Антакие къалэ дэлъадэри, абы къуентхъ куэд къыдахащ, шэрджэс муслъымэн зауэлIхэм «..ахъшэр фалъэкIэ зэхуагуэшащ", дэтхэнэ зы зауэлIым зы гъэр къылъысащ, ахэр псори ящащ.* ………………………………………. * Бацэжь Мухьэмэд-Хъер, «Адыгэ тхыдэм и щIэнгъуазэ», Амман 2009 гъэ, том 4\I, нап 232. I270 гъэм Триполи къалэ къищтащ, Ермэлы цIыкIумкIэ, езым и дзэпщ пщы Къалэунэ игъакIуэри, Сивас, Адэна къалэхэр къащтащ. I277 гъэм езы дыдэр ежьэри, мини 7 хъу тэтэрыдзэр зэтриукIащ, урым Сэлджукъхэм я къалащхьэ Къэисэрей дыхьэри, и цIэр абы щигъэIуащ, цIыхубэми яхэпсэлъыхьащ, пащтыхь псалъапIэм тету. Бейбарс и зэфIэкIыр зауэ хэIущIэIухэм къыщынакъым, дин щIэныгъэми, ухуэнми, литературэми хэлIыфIыхьащ. Езым и цIэкIэ Каир щаригъэухуащ мэжджытышхуэ. А мэжджытым тхылъеджапIи гуэтыжт, тхылъ гъуэтыгъуейхэр щIэлъу, щезгъаджэхэм улахуэ яIэу, ирагъаджэри абы щыпсэууэ.* …………………………. * Мыхьмуд Рызкъ Сэлим, том 3, нап 40. I263 гъэм унафэ ищIри, къэралым и гъунапкъэхэм быдапIэхэр, плъапIэхэр яригъэухуащ; плъапIэм итым бийр жыжьэу къызэрилъагъуу, жэщмэ мафIэ пигъанэрт, Махуэмэ Iугъуэ дригъэхуейрт. АбыкIэ хъыбар зратыжырт, бийр я пэгъунэгъу щыхъукIэ. А быдапIэхэр IэщэкIи зэгъэпэщат, илъэсипщкIэ ярикъун гъуэмыли щыхъумат. I26I гъэм и лIыкIуэхэр Мэчэ-Мэдинэ игъакIуэри, абы щыIэ мэжджытхэр зэфIагъэувэжащ. Ар икIи лъэпкъщIэкъут, и лъэпкъэгъу шэрджэсхэр япэ иригъэщу, езым зришалIэхэу. Абы къыхэкIыуи Iэл-Къэлкъэшэндий тхыдэтхым хужиIащ «лъэпкъыр и лъэпкъымкIэ ебэ хъуащ». Арати, Мысыр щIыналъэм щызеуащ шэрджэсхэр. Абыхэм яхъумащ щIыналъэр, щIэныгъэр ирагъэфIэкIуащ, муслъымэн динри зэфIагъэувэжащ. Бейбарс унафэ къыдигъэкIащ цIыхухэр фадэ ефэ, зинэ ящIэ мыхъуну. Къэралым ис псори зэрызэлъэIэсын пошт Iуэхури зригъэзэхуащ: гъуэгухэм бэтэгъей шухэр тетт, тхылъхэр зыр зым Iэрагъэхьэу, адэкIэ зейм и деж лъагъэIэсыжу.* …………………………………… * Мыхьмуд Рызкъ Сэлим, том I, нап 26, 27, 28. Бейбарс и шыфэлIыфэр тхыдэтххэм зэратхар мыпхуэдэущ «КIыхьт, къуапцIэт, и нитIыр щIыхут, макъ IупщIт, езыр хахуэт, псынщIэт, и нэм щIыIуху телът зы мастэнэ инагъыу, шыбгым къемыхыу тест, шууэ гъунапкъэр, бэтэгъейхэр къызэхикIухьырт, зы тхьэмахуэм тIэурэ топ джэгурт, зэм Дамаск, зэм Мысыр. Ар апхуэдизкIэ цIэрыIуэ хъуати, езыри и дуней тетыкIэри таурыхъыфэу къаIуэтэжырт». Бейбарс, I279 гъэм дунейм ехыжащ, илъэс 20-кIэ пащтыхьу тетауэ. И кхъэри и къуэ Мухьэмэд и кхъэри Дамаск дэт Амяд мэжджэтым, лэгъунэ щхьэхуэ щаIэу щIэлъхэщ. Бейбарс къыкIэлъыкIуа пащтыхьыр Къалэунэхэ Сефуд-динщ. ……………………………….. * Бацэжь, том 4\I, нап 227, 233, 234 6. Iэс-Сэхьид "Iэбул-Мэхьали Мухьэмэд-Бырч-Хъан" 1277-1279 И цIэр Мухьэмэдщ, Бейбарс и къуэщ. Пащтыхь тахътэр и адэм къыщIэнащ езыр илъэс I8-м иту. Тахътэм зэрытетIысхьэу, къыпэува пщыхэр зэтриукIащ. Абы щхьэкIэ цIыхубэм я гум гужьгъэжьыр хуаIэ хъуащ. Езыхэри ерыщу я ужь ихьэхэри, и щхьэр ирагъэужэгъущ, пащтыхьыгъэри ибгынэри, Кэрэк Къалэ кIуэри абы щыпсэуащ. И ажалыр кIэщIу къэсри, и хьэдэр Дамаск яхьри, и адэм и кхъэм бгъуралъхьащ. Мухьэмэд пащтыхьу зэрытетар илъэситI къудейщ. ЗэрыжаIэжымкIэ, ар езым къыкIэлъыкIуа и къуэшым и ужькIэ къэкIуа пащтыхьым и малъхъэу щытащ. 7.Iэл-Хьадел "Сэфуд-дин Сэламыш" 1279 Сэламыш пащтыхь Бейбарс и къуэщ. И япэ ита и къуэш пащтыхьыр зэрытекIыу езыр трагъэуващ. Ар щIалэт, и ныбжьыр илъэсибл фIэкIа мыхъуауи, къэралыр пщы Къалэунэ дзэпщым зэрихьащ. ТIум я цIэри мэжджыт уазхэм щыжаIэрт, ахъшэми традзэрт. ИужькIэ Къалэунэм утыкур къыхуэнэпащ, пащтыхьри тридзри, Кэрэк къалэ игъэкIуащ, къэрал Iуэхум и унафэ хилъхьэну хуитыныгъэ имыIэжу. Сэламыш пащтыхьу зэрытетар махуи 100-щ. 8.Iэл- Мэнсур Сэифуд-дин Къалэунэ 1279-1290 И цIэр Къалэунэщ, "Сэифуд-дин"-ыр цIэлейщ. Ар пщы Iэлэдин, абы щыгъуэм зекIуэ ахъшэ 1000-кIэ къищэхуати, (Миныр-хьэрыпыбзэкIэ "Iэлф") ари и цIэм цIэлейуэ къыпыуващ; къэзыщэхуам и цIэр IэлаIти, IэлаIым и цIэлейри пытыжу Къалэунэм и цIэм цIэлейуэ къыпыуващ. Аращи, тхыдэтххэм Къалэунэм и цIэр зэпкърыхауэ зэратхыр «Сэифуд-дин Къалэунэ Iэл-Iэлфий Iэл-ХьэлаIий». Мыри тэтэр-мэнголхэм япэщIэтащ, и къэралыгъуэ хьэрып-муслъымэн щIыналъэм къримыгъэхьэхэу. Щам щIыналъэр жорзехьэхэм илъэси 150-рэкIэ яIыгъауэ къаIэщIитхъыжащ. 1290 гъэм дунейм ехыжри, Каир къалэ щыщIалъхьэжащ. Абы и лъэпкъэгъу шэрджэсхэр сытым щыгъуи япэ иригъэщырт: Кавказым къилъэда тэтэрхэм гъэр къащIа адыгэхэр езым къищэхужырт, Мысыр къригъашэхэрти, увыпIэшхуэхэр яритырт. Ахэращ, иужькIэ, «Бырчы» цIэмкIэ Iуахэр, Убых адыгэ лъэпкъым щыщ Бырчыхэм ящыщти.* Пащтыхь Сефуд-дин, езым япэ ита пащтыхь Бейбарс и лъэужьым тетащ и къэралыгъуэр игъэбыдэнымкIэ, бийм щихъумэнымкIэ, тэтэрхэм зэхэзехуэн ящI и лъэпкъэгъухэр зэшэлIэнымкIэ. Кавказым я пщым муслъымэн диныр къищтауэ зэрызэхихыу, и лIыкIуэхэр хуигъэкIуащ абыкIэ ехъуэхъуну. ЛIыкIуэхэм тыгъэ лъапIэхэри яIыгът. Къэзыгъэзэжа лIыкIуэхэм, Кавказым я пщым и деж къикIыу зы лIыкIуи къыхуищIат, ар Мысырым и пащтыхьым елъэIуащ, и къэралыгъуэм щызекIуэ цIэ лъапIэхэм щыщ я пщым къыфIищыну. Къалэунэхэ Сефуд-дин и деж Йеменым и имамым и лIыкIуэхэри къакIуэрт тыгъэ лъапIэхэр яIыгъыу: пщылI фIыцIэхэр, пылхэр, хэубэн лъапIэхэр, бзу лIэужьыгъуэ гъуэтыгъуейхэр. Цилоным и пщымрэ пащтыхь Сефуд-динрэ я зэхуаку къакIуэ-накIуэр зэпыуакъым. Апхуэдэурэ абы и сату гъуэгур шынагъуэншэу щигъэтырт. ЕвропэмкIэ щыIэ къэрал лъэщхэми зэныбжьэгъугъэкIэ ягурыIуэрт.* Къалэунэ Сефуд-дин пащтыхьу илъэс 11 хуэдизкIэ тетауэ дунейм ехыжри, тахътэр езым и къуэ Хъэлил къылъысащ. ……………………………………. * Бацэжь Мыхьэмэд-Хъер, «Адыгэ тхыдэм и щIэнгъуазэ», том 4\I, нап 239. *Мыхьмуд Рызкъ Сэлим, "СулътIан мэмлюкхэм я лъэхъэнэр"том I, нап 29. 9. Къалэунэхэ Хъэлил 1290-I293 Пащтыхь тахътэм тетIысхьащ I290 гъэм. Ари ерыщу и ужь итащ жорзехьэхэр хьэрып-муслъымэн щIыналъэм ирихужыну. Акка къалэ илъэси I00-кIэ яIыгъауэ къаIэщIигъэкIыжащ. Адрей къалэхэми щытепщэ жорзехьэхэм Акка къалэ къыщыщIар щалъагъум, яIыгъа къалэхэр зауэншэу ябгынащ. Акка къалэ и кхъухь тедзапIэу щытам деж щыхэтIа мывэм хьэрыпыбзэ, анджылыбзэ, журтыбзэкIэ тетхащ «Мыдеж щиухащ жорзехьэхэм я тетыгъуэр». АдэкIэ тетщ, «Къалэунэхэ Хъэлил Акка къалэ жорзехьэхэм къатрихыжащ, и шэрджэс зауэлIхэмкIэ I29I гъэм» А мывэр нобэми щытщ.* ………………………………….. *Бацэжь Мухьэмэд-Хъер, «Адыгэ тхыдэм и щIэнгъуазэ», Амман, 2009 гъэ, том 4\I, нап 242. Пащтыхь Хъэлил и дзэм Ермэлыхэм я къалащхьэри къищтауэ къыздигъэзэжым яукIащ: Хузэгуэп пщы гуп "Бедра" я нэхъыщхьэу, Хъэлил зекIуэ щыIэу телъадэхэри яукIащ. Бедра пащтыхьу ягъэува щхьэкIэ, ар нэху кърагъэкIакъым, Хъэлил и блыгущIэтхэм яукIыжащ. Абы щхьэкIэ, тхыдэтххэм, а лъэхъэнэм тета пащтыхьхэм Бедра хабжакъым. Хъэлил къыкIэлъыкIуащ, езым и къуэш Мухьэмэд. 10. Къалэунэ Мухьэмэд: 1293-1294 Къалэунэхэ Мыхьэмэд техьэ-текIыжу, щэрэ пащтыхьащ, I292-I294, I298-I308, I309-I34I-рэ гъэхэм. И япэ теувэгъуэм и ныбжьыр илъэси 9-м иту цIыкIути, къэралыр дзэпщ Чэтыбгъэ зрихьащ. Пащтыхь Мухьэмэд и гъащIэр ирихьэкIащ тэтэр мэнголхэм япэщIэту. Абыхэм я дзэ I00,000 хъур, я пащтыхь Гъазан* я пашэу, Сирием щыщ Хьумус къалэ деж щыпэуври, 30,000 фIэкIа мыхъу и дзэмкIэ ар иригъэкIуэтащ. И пащтыхьыгъуэр Маррокэ нэсат, а щIыналъэхэм езым игъэува и дэIэпыкъуэгъухэм унафэ щащIу. I34I гъэм дунейм ехыжащ, илъэс 42-рэкIэ пащтыхьауэ. И япэ тетыгъуэм щыгъуэ къэрал Iуэхур зи пщэ дэлъа Чэтыбгъэрэ пщы гупымрэ зэгурыIуэри, пащтыхьыр трагъэкIри, езы Чэтыбгъэр пащтыхьу трагъэуващ. Пащтыхь Мухьэмэд и япэ тетыгъуэр мазэ II-щ зэриукъуэдияр, Чэтыбгъэ абы къыкIэлъыкIуащ. ……………………………………………. *Бацэжь, том 4, нап 235 - 239. * «Гъазан», «Къазан»: Тэтэр хъанщ, муслъымэн сунитщ, дунейм щехыжым Олджино къытехьащ хъану. Олджину и анэр чыристэнт, езыми чыристэныфэ зытригъауэрт, муслъымэн мэзхьэб сунитыр Щам щIыналъэхэм щызригъэкIуэн хуэдэуи зищIырт. *Бацэжь, том 4\I, нап 244. 11. Чэтыбгъ Зенуд-Дин 1294-1296 Япэ ита пащтыхьыр тридзри езыр абы и пIэкIэ пащтыхь хъуащ. Чэтыбгъэр Къалэунэ Сефуд-дин Хьумус къалэ деж тэтэрхэм щапIэщIэувам щыгъуэ къищIа гъэрхэм щыщти, хуит къищIыжри, дэкIуэтейурэ пащтыхь къуэдзэ хъуащ, итIанэ тахътэм тес пащтыхьыр тригъэкIри езыр теуващ. И пащтыхьыгъуэм и илъэс етIуанэм ирихьэлIэу, Щам щIыналъэмкIэ щыIэу, МысырымкIэ щыIэ пщыхэр Лашын я пашэу зэгурыIуэри, Лашыныр пащтыхьу трагъэтIысхьащ, Чэтыбгъэ а зыдыщыIэм къэнащ, пащтыхь цIэр имыIэжу. Чэтыбгъэ пащтыхьу зэрытетар илъэситIщ. И зэманым хьэпшыпхэм я уасэхэр дэуеящ, уз зэрыцIалэри къежьащ, Нилым ипсри гъуащ, мэнгол лъэпкъым щыщхэр Мысырым куэд щыхъуащ. ЖыIэпхъэщ, мы Чэтыбгъэр Къалэунэхэ Мухьэмэд аргуэру пащтыхьу щытеувэжми зэрыпсэуар икIи Хьэма щIыналъэхэм, езы Мухьэмэд и къуэдзэу зэрыщыIар. А увыпIэри иIыгъащ дунейм ехыжыхункIэ-702 гъэ пщIондэ. Абы къыкIэлъыкIуащ пащтыхь Лашын. I2. Лашын Хьусамуд-Дин Лашын 1296-1299 Лашын Къалэунэхэ я пщылIу щытти, хуит ящIыжащ. Пащтыхь Чэтыбгъэ и къуэдзэу лажьэу, пащтыхьыр Щам кIуауэ иригъэхьэлIэри, езыр пащтыхь тахътэм тетIысхьащ. Абы и лъэхъэнэм Мысыр щIыналъэр щIэрыщIэу пщыхэмрэ дзэлIхэмрэ ятригуэшыжащ, ауэ езым нэхъыбэр къызыхуигъэнэжащ. Абы щхьэкIи, езым и блыгущIэт "Менкотемыр" и къуэдзэу зэригъэувам щхьэкIи (ар цIыху ерут, залымт) цIыхубэр зэгурыIуэри, зы жэщым тIури яукIащ. Къалэунэ Мухьэмэд (етIуанэ тетыгъуэ) 1299-1309 Пащтыхь Лашын яукIа иужь, пщыхэр зэгурыIуэри, Къалэунэ Мухьэмэд пащтыхь тахътэм аргуэру трагъэтIысхьэжащ, къэрал зехьэным илъэсиплIкIэ пэIэщIауэ щытауэ. Япэ гугъехьу зыIууар тэтэр зэрыпхъуакIуэхэрати, щапэщIэувэм, къытекIуэри, Щам щIыналъэр зэрапхъуащ, зэтракъутащ, езым Мысыр игъэзэжащ, и дзэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтауэ. Куэд дэмыкIыу и дзэр аргуэру зэфIигъэувэжри, хъэлифатыр, къадуэ 4 зыдищIыгъури, и дзэр иришэжьащ, тэтэрхэр Щам щIыналъэм ирихужыну. Мы зэм текIуащ, тэтэрхэри зэтриукIащ. А щIыкIэм тету Щам щIыналъэри и къэралыгъуэм щыщ ищIыжащ. ГъащIэр куэдрэ мамыракъым, езым и дзэпщ Бейбарс къеныкъуэкъуу зэрыщIидзэу, пащтыхь тахътэр къыхуигъанэри, Кэрэк къалэ кIуэри дэтIысхьэжащ. Мухьэмэд и етIуанэ пащтыхьыгъуэр илъэсибгъурэ ныкъуэкIэ ирихьэкIащ. 13. Бейбарс Iэл-Джашинкирий 1309-1310 ЦIэрыIуагъэкIэ япэ ита пащтыхьхэм къакIэрыхуркъым Бейбарс Iэл-Джашинкирий*. Мыри ТкIийуэ япэщIэтащ жорзехьэхэмрэ, мэнголхэмрэ, абыхэм ящихъумащ мэжджытхэр къамыгъауэу. еджапIэхэр ищIащ, Къудус- Иеросалим къалэ дэт мэжджыт лъапIэм куэбжитху хригъэлъхьащ, хьэжыщхIэр хуиту дыхьэу, хуиту дэкIыжу щытын папщIэ. Етхуанэ куэбжэр I967 гъэм зэтракъутащ, абыхэмрэ хьэрыпхэмрэ щызэзэуам.* Джашинкир Бейбарс Къалэунэхэ я пщылIу щытащ. Къалэунхэ Мухьэмэд и тетыгъуэм дзэпщ хъуащ. Мухьэмэд езыр хуейуэ пащтыхьыгъэр щибгынэм, пщыхэр зэгурыIуэри, Бейбарс пащтыхьу тахътэм трагъэтIысхьащ. Къулыкъур зэрыIэрыхьэуи, Мухьэмэд къыдэщIу щыта пщыхэр зэхэзехуэн ищIу щIидзащ. Абы щхьэкIэ Мухьэмэдыр губжьри, ЩамкIэ щыIэ езым и ныбжьэгъу пщыхэр къигъэдаIуэри, Бейбарс унафэ хуащIащ пащтыхь тахътэр ибгынэу, Кэрэк къалэ дэтIысхьэжыну. Бейбарс къыхуащIа унафэм едэIуащ. Кэрэк Къалэ кIуэуэ гъуэгу здытетым, ар яубыдри, Каир къашэжащ икIи Мухьэмэд и пащхьэ щатхьэлащ. Мыр пащтыхьу зэрытетар мази I0-рэ махуэ 24-рэщ. * ………………………………………………………… *Заккар, Дамаск, I982, нап-299. "жашинкир" Пащтыхь Iэнэм трагъэува шхыныгъуэмкIэ жэуап зыхьырщ. Абы и къалэн нэхъыщхьэщ, шхыным щхъухь зэрыхэмылъымкIэ къищIэну. «жашинкир» псалъэр персыбзэщ. Ар IыхьитIу зэхэлъщ "жашна", "кир" япэр бзэгумкIэ зыхэщIэн, етIуанэр кIэухщ, «зыгъэзащIэ» "къэхутэн" "къэхутакIуэ" мыхьэнэр къикIыу. * Бацэжь Мухьэмэд –Хъер "Адыгэ тхыдэм и щIэнгъуазэ" том 4\I, нап 246. * Мыхьмуд Рызкъ Сэлим "сулътIан мэмлюкхэм я лъэхъэнэр" том I, нап 32. Къалэунэхэ Мухьэмэд (ещанэу) 1310-I341 I3I0 гъэм, зы илъэскIэ ибгынауэ, пащтыхь тахътэм тетIысхьэжащ Къалэунэ Мухьэмэд. Каир къалэ дэт Iуащхьэм хъэлифатыр, къадуэ 4, пщы гупри и щхьэту пащтыхь тахътэм тетIысхьэжащ. Адрей щIыналэхэм щыIэ и къуэдзэхэм и гур яхуэзагъэртэкъыми, псори IуигъэкIахэщ, "пащтыхь къуэдзэ" къулыкъури икъутэжащ, и тетыгъуэм зэран къыхуэхъуну къилъытати. И тетыгъуэр зэригъэбыдэу, Щам щIыналъэмкIэ зигъэзащ, тэтэрыдзэм пэщIэувэн гугъэр иIэу, ауэ ахэр къыпэувыжахэкъым, ябгыр ягъазэри икIыжахэщ. И щIыналъэм зиубгъуащ, и цIэри мэжджытхэм щагъэIуащ, пащтыхьхэри зригъэубзащ, тыгъэхэри къыхуащIащ. И лъэхъэнэм къэрал мылъкур хэхъуащ. Пщырэ пщылIу иIэм я бжыгъэр мин 24-рэм нэсат. Ахэр фащэ екIукIэ ихуэпащ, сэшхуэ якIэрылъыр дыжьынкIэ гъэщIэрэщIат. И лъэхъэнэм щIэныгъэри ефIэкIуащ, щIэныгъэлIри гушхуащ, усакIуэхэри хуиту утыку къихьащ. Къалэунэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэшхуэм щыщщ щIыналъэр щIэрыщIэу и зауэлIхэмрэ, дзэпщхэмрэ, пщыхэмрэ зэрытригуэшэжар. Чэщанэ быдэхэр, мэжджыт дахэхэр, лъэмыж телъыджэхэр яригъэухуащ. ТIэурэ хьэжыщI щыIащ. ЕтIуанэу щыкIуам, бжей плъыжьым къыхэщIыкIа, дыжьын зытегъэлъэда бжэ Чэбэ лъапIэм хригъэлъхьащ. ЩIалэ I2 къыщIэнати, абыхэм щыщу 8-р пащтыхь увыпIэм нэсащ. Къалэунэхэ Мухьэмэд I340 гъэм дунейм ехыжащ, къэралыгъуэ абрагъуэ къызэринэкIауэ. Пащтыхьу щэрэ зэрытетар зэхэплъхьэжмэ, псори илъэс 43-рэ мэхъур. Езыр дунейм ехыжа нэужь, и уэсяткIэ, и къуэ Iэбу-Бэчыр лъысащ пащтыхь тахътэр. 14. Къалэунэхэ Iэбу-Бэчыр 1341 Iэбу Бэчыр Къалэунэ Мухьэмэд и къуэщ. Пащтыхь тахътэр и адэм и уэсяткIэ къылъысащ, езыр зэкъуэшхэм я нэхъыжьу щымытрэ пэт. Пащтыхь щыхъуам и ныбжьыр илъэс 20 хъууэ арат, зэрытетар жэщ-махуэ 59-рэщ. Тетыгъуэ щIэкъухэр, дзэпщ Къосон я пашэу, къаубыдри, хьэпсым ирадзэри, абыи щаукIыжри, езым и къуэш Кучуку пащтыхь ящIащ. 15. Къалэунэхэ Кучыку 1341-1342 Кучыкуи Къалэунэ Мухьэмэд и къуэщ. И къуэшыр яукIыу езыр пащтыхьу щагъэувам и ныбжьыр илъэси 8 ирикъуатэкъыми, къэралыр зезыхьар, дзэ зешэу икIи пащтыхь къуэдзэу щытар Къосонщ. А лъэхъэнэм къэралыр зэхэзэрыхьащ. Щам щIыналъэмкIэ щыIэ пщыхэр зэгурыIуащ, Кучыку и къуэш Кэрэк къалэ щыIэр, и къуэш тетым и пIэкIэ пащтыхьу ягъэувыжыну. Къосоныр яубыдащ, Кучыку трагъэкIащ, мазитху фIэкIа темытауэ, Ахьмэд трагъэуващ. 16. Къалэунэхэ Ахьмэд 1341-1342 Ахьмэд Къалэунэ Мухьэмэд и къуэ нэхъыжьщ. Пащтыхь тахътэм зэрытеувэу, и бийуэ къилъыта пщибл иукIащ, нэгъуэщIхэри лъэхъуэщым иридзащ, абы щхьэкIэ зауэлIхэм я гур щыкIауэ щытащ. Ар Кэрэк къалэ дэсащ Каир къахуэмыкIуэу. Ар и щхьэусыгъуэу, пащтыхь тахътэм трагъэкIри, езым и къуэш Исмахьил трагъэуващ пащтыхьу. Ахьмэд пащтыхьу зэрытетар мазитIрэ махуэ I2-рэщ. Ар Кэрэк къалэ дэсащ, и къуэш Исмахьил и унафэкIэ яукIыху. 17. Къалэунэхэ Исмел-Исмахьил 1342-1345 Мыри Къалэунэхэ Мухьэмэд и къуэщ. И къуэшыр иукIри, езыр пащтыхь хъуащ. Пащтыхь Исмел лIы захуэт, псапащIэт. Ар I345 гъэм дунейм ехыжащ. 18. Къалэунэхэ Шыхьбан 1345-1346 Шыхьбани Къалэунэхэ Мухьэмэд и къуэщ. Пащтыхь тахътэм зэрытетIысхьэу, и жагъуэгъу пщыхэр лъэхъуэщым иридзащ. Пащтыхьыгъуэр къызыхуигъэнэжын щхьэкIэ и къуэшитI иукIыжын гуращэр иIэу къыщащIэм, пщыхэр пэуващ. Iуэхур апхуэдэу къыщекIуэкIым, ар щIэпхъуэжащ. Пщыхэр зэгурыIуэри, щIэпхъуэжа пащтыхьым и пIэкIэ абы иукIыжыну зыхэта и къуэш Хьэжы тахътэр лъагъэсащ. ИужькIэ, Шыхьбан и щтапIэр зрагъащIэри яукIащ, и къуэш теувам и унафэкIэ. Шыхьбан пащтыхьу зэрытетар зы илъэсрэ, мазитIрэ ныкъуэрэщ. 19. Къалэунэхэ Хьэжы 1346-1347 И ныбжьыр илъэс 20 иримыкъуауэ, япэ ита и къуэш Шыхьбан и ужькIэ лъысащ пащтыхьыгъуэр.. Зэрытеувэу и жагъуэгъухэр лъэхъуэщым щIидзащ, языныкъуэхэр иригъэтхьэлащ. Бзу зехуэным дихьэхырт, егъэлеяуэ - тхьэрыкъуэм. Абыхэм дашэхырт къэрал Iуэхухэм. Абы щхьэкIэ пащтыхь увыпIэр хуэмыфащэу къалъытэри, лъэхъуэщым щIадзащ. Абы щIатхьэлъыхьа иужь, и къуэшыр пащтыхьу ягъэуващ. Хьэжы пащтыхьу зэрытетар зы илъэсрэ мазищрэ махуэ I8 –рэщ. 20. Къалэунэхэ Хьэсэн 1347-1351 Хьэсэн, япэ ита и къуэш Хьэжы иужькIэ пащтыхьыгъэр лъагъэсащ. И ныбжьыр илъэс 13 ирикъуауэ арати, пщы гупыр къыдэIэпыкъуащ къэрал зехьэнымкIэ. И лъэхъэнэм тало узым зиубгъури, цIыху куэд ихьащ, хьэпшыпхэм я уасэхэри дэуеящ. Щам щIыналъэр зыIыгъ пщы гупыр зэмызэгъыж хъури, цIыхубэр зэхэзехуэн ящIащ. А зэрыхьзэрийм пащтыхьри хэкIуэдащ: и жэгъуэгъухэм къаубыдри ягъэтIысащ, илъэсищрэ мазибгъурэ фIэкIа темытауэ. Абы и пIэкIэ и къуэш Iэс-Салихь ягъэуващ. 21. Къалэунэхэ Сэлэдин 1351-1354 Япэ ита и къуэш Хьэсэн трагъэкIри езыр трагъэтIысхьащ пащтыхь тахътэм. Пащтыхь хъунымкIэ дэIэпыкъуар пщы «ТIаз»-ти, ТIазым къэралыр зэрыхуейм хуэдэу зэрихьащ. Абы щхьэкIэ пщы гупыр хузэгуэпри, ТIазми, пащтыхьми зауэ иращIэкIащ. Пащтыхьыр пщыхэм ятекIуащ, зэщIэгъэстакIуэхэри лъэхъуэщым иридзахэщ. Ауэ и къуэдзэу Хьэлэб щIыналъэм щыIэ Урыс Бебгъа, Триполи, Хьэма къалэхэм тет пщыхэри пащтыхь щIыналъэм къыгуэкIыну щыщIадзэм, зауэ ярищылIэри, Урысыр тыркумэн щIыналъэм ихужащ, и зауэлIхэр гъэр къищIащ, адрей пщыхэр лъэхъуэщым иридзахэщ. Апхуэдэу Каир къэкIуэжащ, и бийхэм ятекIуауэ, гъэр куэдыр къищIауэ. И лъэхъэнэм Аббасидхэм я хъэлифыр дунейм ехыжри, и къуэр хъэлифу ягъэуващ. Пащтыхь Сэлэдин илъэсищрэ мазищрэ ныкъуэрэ тетауэ, фIэгуэныхь хъууэ лъэхъуэщым къришыжа пщы «Шехъо Iэл-Хьумэрий» жыхуаIэм и гупыр зэщIигъэстри, СулътIаныр яригъэубыдри лъэхъуэщым ирадзащ, Хьэсэн етIуанэу пащтыхь тахътэм трагъэтIысхьэжащ. Къалэунэхэ Хьэсэн (етIуанэу) 1354-1361 755 гъэм етIуанэу тетIысхьэжащ пащтыхь тахътэм. ДауикI, къыдэIэпыкъуауэ щыта Шехъо и Iэр хуит ищIащ зыхуейр ищIэну. Шехъо еджапIэхэр, сымаджэщхэр иухуащ. Пащтыхь Хьэсэн езым и цIэкIэ еджапIэшхуэ яригъэухуащ. Пщы шехъо къыхузэгуэп гуэрым иукIри, къеныкъуэкъуу щыта пщы Сэгъуртэмэш утыкур къыхуэнащ. Ар лъэщт, и лъэкIыныгъэр инти, сулътIаныр щышынэрт; абы и бэлыхьым хэкIын щхьэкIэ яригъэубыдри, лъэхъуэщым щIадзащ, абыи щатхьэлэжащ. Пащтыхь Хьэсэн и блыгущIэт "Елыбгъа"-р епцIыжащ: къиубыдри лъэхъуэщым иридзащ; жаIыжащ, итхьэлэу хым хидзэжауэ, и хьэдэр къагъуэтыжатэкъыми. Пащтыхь Хьэсэн и лъэхъэнэм чылисэхэм, къулъшырыфхэм епха щIыр къытрахыжри, пщыхэм хуагуэшащ, хабзэ мыхъумыщIэхэр цIыхубэм захригъэнащ. Ар илъэси 10-рэ ныкъуэрэкIэ тетащ пащтыхьу. 22. Хьэжы Мухьэмэд 1361-1363 Къалэунэхэ Насир и къуэрылъхущ. И адэш Хьэсэн яукIа иужь тахътэм трагъэтIысхьащ пащтыхьу 762 гъэм. И ныбжьыр илъэс 24-рэ хъурт. Къэрал зехьэнымкIэ къыдэIэпыкъуащ пщы "Елыбгъа", иужькIэ дзэ зешэ хъуар. Хьэжы Мухьэмэд зэрытеувэу лъэхъуэщым щаIыгъ пщы куэдыр хуит къищIыжащ. Щам щIыналъэм ихьэри, абы щытет пщы зэмызэгъхэр зригъэкIужащ. Каир къызэригъэзэжу, къещэу дэса "Елыбгъа"-м къиубыдри лъэхъуэщым щIидзащ, и пIэкIэ, и адэшым и къуэр пащтыхь тахътэм тригъэтIысхьащ, илъэситIрэ мазиплIрэ тетауэ. 23. Къалэунэхэ Хьусен и къуэ Шыхьбан 1363-1377 И адэкъуэшым и къуэ Хьэжы къыкIэлъыкIуащ. И ныбжьыр илъэси 10-ти, къэралыр пщы Елыбгъа зэрихьащ. И лъэхъэнэм Кипр и пащтыхьыр Александрей къалэ теуэри зэтрикъутащ, пащтыхьым и дзэр щыкIуэм, къытеуахэр дэжыжауэ нэсащ. Абы и ужькIэ пщы Елыбгъа кхъухьыдзэ зригъэпэщащ, и хы Iуфэхэр Франджыхэм щихъумэн щхьэкIэ. КхъухьыщIэхэр псым щытрагъэхьэну махуэр ехъулIэныгъэшхуэу къалъытэри, пащтыхьри хэтащ а махуэшхуэм. Зэхуэсышхуэр пащтыхьым и жэгъуэгъухэм къагъэсэбэпу, традзу и къуэш Iэнук трагъэувэн мурадыр яIэу къыщищIэм, щэхуу Каир щIэпхъуэжри, и чэщанэм зыщигъэбыдащ, зэщIэгъэстакIуэ Елыбгъа яригъэубыдри, укIыкIейуэ яригъэукIащ. Хьусен и къуэ Шыхьбан и лъэхъэнэм пщыхэр зэгъакъым, езы пащтыхьри япэмылъэщыжу, зэпымыууэ зэщIэхъаехэт, Франджым и дзэр пащтыхь щIыналъэм хиубыдэ Щамрэ, ермэлы щIыналъэмрэ теуэхэрт, къалэхэр зэтракъутэрт, зэрапхъуэрт; и лъэхъэнэми Каир къалэдэсхэм уз зэрыцIалэ къахыхьащ, Дамаск и Iэшэлъашэр мацIэм зэщIиштащ, цIыхубэри пщыхэм хуэмарэзуэ зэщIэхъаехэрт. 778 гъэм пащтыхь Шыхьбан хьэж ищIыну ежьащ хъэлифри, къадии 4-ри и гъусэу-къэтыхункIэ трагъэкIри, езым и къуэ Алий пащтыхьу ягъэуващ. КъыздэкIуэжым и бийхэм яукIыну къыщищIэм, гъэпщкIуауэ Каир нэсами, къагъуэтри лъэхъуэщым ирадзащ, абыи щатхьэлэжащ, илъэс I4 хуэдизкIэ пащтыхьауэ. ГъэщIэгъуэнщ, Ибн Ийяс Шыхьбан и лъэхъэнэр мамыру щытауэ зэритхыр. 24. Къалэунэхэ Шыхьбан и къуэ Алий 1377-1382 Япэ ита пащтыхьым и къуэщ. Пащтыхь тахътэм щытрагъэтIысхьам щыгъуэ и ныбжьыр илъэсиблт зэрыхъури, къэралыр зэрихьащ дзэпщ «Аинбэч». Алий и лъэхъэнэр пщы зэрышхым хэкIакъы. ИлъэситхукIэ пащтыхьу тетауэ, ар сымаджэ хъури, I382 гъэм дунейм ехыжащ. ЖыIэпхъэщ, пщы Бэрыкъуэр а лъэхъэнэм къыхэжаныкIауэ зэрыщытар, абы хэтурэ дзэпщ увыпIэм зэрынэсар. 25. Шыхьбан и къуэ Амир Хьэжы 1382 Амир Шыхьбан и къуэщ, япэ ита пащтыхьыр и къуэшщ. Щытеувам щыгъуэ и ныбжьыр илъэс 11 хъууэ арати, шэрджэс лъэпкъым къыхэкIа дзэ зешэ Бэрыкъуэм къэралыр зэрихьащ. Бэрыкъуэм къэралым куэд хуилэжьащ: Хьэлэб къытеуэу щыта тыркумэнхэр игъэшынащ, щIыналъэм ирихужащ, бидуинхэр игъэIэсащ, Нилым лъэмыжышхуэ трилъхьащ. Пащтыхь увыпIэм ехъуапсэу щIидзэри, къеныкъуэкъу пщыхэр лъэныкъуэ иригъэзащ, пщыхэр, хъэлифыр, къадыуэ плIы хэту хасэ зригъэпэщри, пащтыхьыр трамыгъэкIмэ къэралыр кIуэцIрыхуну я фIэщ ищIащ. Ахэр зэдауэри траубыдащ, пащтыхьыр традзу абы и пIэкIэ Бэрыкъуэр трагъэувэну. Абдеж щыщIидзащ «Шэрджэс пащтыхьхэм я къэралыгъуэ» жыхуиIэ лъэхъэнэр, Бэрыкъуэри а къэралыгъуэм и зэхэублакIуэу къалъытащ. Шыхьбан и къуэ Амир хьэжы пащтыхьу зэрытетар зы илъэс иримыкъущ. Бырчы шэрджэсхэр хэт хъуну, Мысыр къакIуэхэу абы дауэ пащтыхь щыхъуа? Нууейрий и тхылъ «Нихьаетул Iэрэб» жыхуиIэм итщ: «Пащтыхь Къалэунэ и къуэ Мухьэмэд и лIыкIуэхэр Кавказым щыIэ шэрджэсхэм я деж щыIауэ къыздагъэзэжым, ахэр франджы хъунщIакIуэхэм яубыдащ, яубыда цIыху 60-р ящэнути, яхуэщакъым. А хъыбарыр пащтыхь Къалэунэ щызэхихым, и дзэм щыщ игъакIуэри, и лIыкIуэхэр зыубыдахэм къаIэщIигъэкIыжащ" I3-I4-нэ лIэщIыгъуэхэм тэтэрыдзэр Кавказым къытеуэрейт, абыхэм я гъэрхэр е яукIырт, е гъэрыр зэращэм хуэдэу ящэрт. Абыхэм щхьэкIэ, тхыдэтх цIэрыIуэ Ибн Хъэлдун, идэркъым «мэмлюк» псалъэу «пщылI» мыхьэнэр къэзыгъэлъагъуэр я фIэщыгъэцIэ пэжу щытыныр. Абы зэрыжиIэмкIэ, Мысырым, пащтыхь щыхъуа шэрджэс бырчхэр щхьэусыгъуитIкIэ къихьащ Мысырым: I- Къэралым тет пащтыхьым, езым ахэр къаригъашэрти, дзэм хагъыхьэрт. 2 – Тэтэрым гъэр къащIа шэрджэсхэр, щхьэщэхупщIэкIэ къащэхужырт. Языныкъуэ тхыдэтххэм щхьэщэху Iуэхур, пщылIыр ящэ-къащэхужу зэрыщытам хагъэгъуащэри, «Мамлюк» псалъэу «пщылI» мыхьэнэ зиIэр къагъэсэбэпащ, пцIыуэ. Тхыдэтх Бын Тыгъурий Исуф и тхылъ «Iэлминхьэл-Iэссафий» жыхуиIэм итщ: «пащтыхь Къалэунэ ерыщт, и лъэпкъэгъу шэрджэсхэр зришэлIэнымкIэ»*. Тхыдэтххэм я нэхъыбэм ядакъым «мамлюк» псалъэр, абыхэм «пащтыхь» "сулътIан" "цар" псалъэхэрщ нэхъ къагъэсэбэпар. "…Адыгэ пащтыхьхэм, езыхэм я лъэпкъэгъу Кавказым къикIауэ хъыбар къазэрыIэрыхьэу, пежьэхэрти, ягъэлъапIэу кърагъэблагъэрт, дыщэ уанэ зытелъ шы, тыгъэ хуащIырт лъапIэхэр».». ……………………………………………….. *Iэбу Хьамид Ал-Макъсидий "Муслъымэн къэралыгъуэ" Шэрджэс пащтыхьу етIуанэ лъэхъэнэм тетахэмрэ зэрытета илъэс бжыгъэмрэ I.Бэрыкъуэ I382-I388. 2.Шыхъбан и къуэ Хьэжы I388-I389 (етIуанэу). 3. Бэрыкъуэ I389-I398 (етIуанэу). 4. Бэрыкъуэ и къуэ Фэрэдж I398-I405. 5. Бэрыкъуэ и къуэ Абдулхьэзиз I405 (мазэ бжыгъэщ зэрытетар). 6. Бэрыкъуэ и къуэ Фэрэдж I405-I4I2 (етIуанэу). 7. Щехъ Мыхьмуд I4I2-I42I. 8. Щехъ и къуэ Ахьмэд (зы мазэщ зэрытетар). 9. Тэтэр I42I (махуэ 94-рэщ зэрытетар). I0. Тэтэр и къуэ Мухьэмэд I42I-I422. II. Бэрсбей I422-I437. I2. Бэрсбей и къуэ Исуф I437-I438. I3. Чыкъмыкъ I438-I453. I4. Чыкъмыкъ и къуэ Уэсмэн (мазэ бжыгъэщ зэрытетар). I5. Инал I453-I460. I6. Инал и къуэ Шухьабулдин (мазэ бжыгъэщ зэрытетар). I7. Хъушкъэдэм (Хъушкъам) I460-I467. I8. Бэлэбей (мазэ бжыгъэщ зэрытетар). I9. Темырбгъэ (зы жэщ закъуэщ зэрытетар). 20. Къэтбей I468-I496. 2I. Къэтбей и къуэ Мухьэмэд I496-I497. 22. Къанщауэ Щитху (махуищщ зэрытетар). 23. Къэтбей и къуэ Мухьэмэд I497-I498 (етIуанэу). 24. Къэнщауэ I498-I500 (Къэтбей Мухьэмэд и анэшщ). 25. Жанболэт I500-I50I. 26. Думбей (мазэ бжыгъэщ зэрытетар). 27. Къанщауэ Гъур I50I-I5I6. 28. Думэнбей I5I6-I5I7 (етIуанэу). ИщхьэкIэ къэкIуа тхыгъэм деплъыжмэ къыдощIэр, I – Адыгэ Бырч пащтыхьхэм я етIуанэ лъэхъэнэр иукъуэдиящ илъэс I36-рэ: Къэт Бей илъэс 29, Чыкъмыкъ илъэс I7, Бэрысбей илъэс I5, Хъушкъэдэм илъэс – 8, Бэрыкъуэ илъэси – 8, Бэрыкъуэ и къуэ Фэрэдж – 8. 2 - Япэ лъэхъэнэм пащтыхьыгъэр адэщIэину быным лъысырт, етIуанэ лъэхъэнэм зыхуэфащэрат пащтыхьыгъэр зылъысыр. 3 - ЛъэхъэнитIми тхыдэтххэм фIащар «Шэрэджэс» псалъэр зыхэт фIэщыгъэцIэщ, абыхэм я нэхъыбэр лъэпкъкIэ адыгэу зэрыщытым къыхэкIыу – мыадыгэу яхэтар: Хъущкъэдэм (ар лъэпкъкIэ алыджт) Темырбгъа (урымт). 4 - Ахэр куэд хъууэ щытами, къыхэжаныкIар бгъущ: Бэрыкъуэ, Щехъ, Чыкъмыкъ, Инал, Хъушкъуэдэм, Къэтбей, Къанщауэ Гъур, Думэнбей. Мысыр щытепща пащтыхьхэр тхыдэтххэм лъэхъэнитIу ягуэшми, тIури куэдкIэ зэщхьэщыкIыркъым, лъэхъэнитIыми щыIахэр, езы Мысырым щымыщхэщ. Япэ лъэхъэнэм адыгэри, мэнголри, тыркури, куртри,тэтэрри хэтащ, етIуанэ лъэхъэнэм тетахэр адыгэ защIэт, тIу нэмыщIауэ, аращ, етIуанэ лъэхъэнэм "шэрджэс пащтхьхэр"-жаIэу щIеджахэр. Шэрджэс пащтыхьхэм я лъэхъэнитIми, я тепщэгъуэр мысырым къыщынакъым, абыхэм яIэщIэлъащ хьэрып-муслъымэн щIыналъэхэр, европэм зыпащIащ икIи зыщахъумащ, Азие лъэныкъуэмкIэ щытепщэ уэсмэнхэм, Къэжэрхэм, Индым, Чынтым зыпащIащ. Пащтыхь Бэрыкъуэ (I382-I389) Бэрыкъуэ Кавказым изышар сатуущI Уэсмэн Фэхъуруддинщ. Ар Мысыр зэрихьэу, пщы Елбгъэ щхьэщэхупщIэ щIетри, зрешалIэ. Елыбгъа яукIыу и блыгущIэтхэри щызэбгрыжыжым, Бэрыкъуэ абыхэм хуэдэу щIэпхъуэжакъым. Ауэ ар яубыдри, Кэрэк къалэ* щыIэ лъэхъуэщым ирадзащ. АрщхьэкIэ, лъэхъэнэ зэхэзэрыхьыгъуэр къигъэсэбэпри, лъэхъуэщым къикIуэсыкIыжащ. Бэрыкъуэ Лъэхъуэщым къызэрикIыжу, дзэ зригъэпэщри, КаиркIэ иунэтIащ икIи хъэлифатыр и лъэныкъуэ къищIри, езыр тахътэм пащтыхьу итIысхьащ. Бэрыкъуэр пащтыхь хъунымкIэ дэIэпыкъуащ, Псыжь щыщ адыгэпщ Бырч* «Дыщэ ипхъа» тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхыдэдж Ибн Алхьимад Бэрыкъуэм хужиIащ: «..Пащтыхь хахуэт, Iущт, шууейт, лъэрызехьэт, бжым Iэзэу ириджэгурт, тхьэмыщкIэхэм яхуэгумащIэт, и макъыр лъагэт, и жьакIэр Iувт, тхьэкIумэкIыхьынэт, ахъшэ зэхуэхьэсыным дихьэхырт, лъэужь щхьэпэ куэд къызэринэкIащ. И дзэр Сириеми, Персми, Иракми нэсат.." Бэрыкъуэр Уэсмэнхэм я сулътIан Бэизыт зэрыгурыIуар, Темыр ЩIакъуэ игу иримыхьу лIыкIуэ къыхуищIати, лIыкIуэхэм щызагъэпхъашэм, Бэрыкъуэм ар игум темыхуэу, и щхьэхъумэхэм унафэ яхуищIри, лIыкIуэхэр яригъэукIащ. Абы и щхьэусыгъуэкIэ Темыр и дзэр Бэрыкъуэм хуигъэкIуащ, ауэ Бэрыкъуэм и дзэр абы хуэзакъым. Тэтэрыдзэр Хьэлэб къалэ теуэщ, ар зэтрикъутэри, Бэрыкъуэм и дзэм зыхуимыгъазэу, къызыдикIамкIэ игъэзэжащ. Бэрыкъуэр пащтыхь хъуным иджыри мазитI иIэжу, дзэпщ увыпIэми иту, езыр Кавказым къизышауэ щыта сатуущI Уэсмэн Кавказым игъакIуэри, и адэр къригъэшащ, и Iыхьлы гупи и гъусэу. Ибн Ийяс абы щхьэкIэ итхащ "Шэрджэс зэкIуэцIылът, зы хьэрыпыбзэ псалъэ имыщIэу."* Бэрыкъуэ и ныбжьыр илъэс 60-м нэсауэ дунейм ехыжащ. Езым и цIэкIэ иригъэщIауэ щыта мэжджытыр ноби къызэтенауэ Каир дэтщ. А лъэхъэнэм псэуа тхыдэтхым (IэссиутIий) и тхылъ (Хьуснул мухьадэрэ) и 2-нэ томым и 74-нэ напэкIуцIым щетх: « СулътIан Бэрыкъуэ езым и цIэкIэ иригъэщIа мэжджытыр ухуэн щаухым, абы щезыгъэджэну егъэджакIуэхэр къригъэблэгъащ. Абыхэм апхуэдизкIэ щIыхь яхуищIырти, къыщыщIыхьэхэм, езым и IэкIэ алэрыбгъур яхуиубгъауэ щытащ».* «Iэл-Iэзхар» мэжджытым и азэн джапIэр куэдрэ игъэщIэрэщIэжащ, псы хъумапIэхэр дищIыхьащ, андез щтапIэхэр дигъэуващ. А зэманым, мэджыт ухуэнымкIэ пащтыхьхэр ерыщт, абыкIэ зэхьэзэхуэрт, яухуам и дахагъым ирипагэхэрт, ухуакIуэхэр ягъэлъапIэрт. Къэбгъэлъагъуэмэ, Пащтыхь Бэрыкъуэ и мэжджытыр зыгъэува ухуакIуэм и пхъур къишауэ щытащ, езы Бэрыкъуэ ипхъури, ухуакIуэм и къуэм иригъэшауэ щытащ.* ----------------- * Кэрэк: Ярдан къэралыгъуэм хыхьэ къалэщ. *Ибрахьим ТIэрхъан "Мысыр, шэрджэс пащтыхьхэм я лъэхъэнэм" Каир I960. ТIэрхъаным "Бырч" псалъэр зэритхыр "Кубан щыщ шэрджэс-Бэрэкэ Ал-Кубаний". *ТIэрхъан, Каир, I960. (бэдаIихьил зухьур) том, I, напэ, 253-254. (Хьуснул мухьадэрэ) том 2, на I05. (шэзэратул зэхьэб) том 7, на 6. (Ибн Хъэлдун) том 5, на 472-473. * Сэлим Рызкъ «Пащтыхь сулътIанхэм я тепщэгъуэр», Каир I963, том 2, япэ Iыхьэ, нап 23. * Сэлим Рызкъ, том 2, нап I60. Бэрыкъуэ и къуэ Фэрэдж (I399-I4I2) Бэрыкъуэм къуищ къыщIэнат: Фэрэдж, Абдул-хьэзиз, Ибрэхьим. Дунейм зэрехыжу пащтыхь хасэр зэхуэсри, унафэ къызэдащтащ, пащтыхь тахътэм Фэрэдж трагъэтIысхьэну. И ныбжьыр илъэси I0-рэ мазихрэ фIэкIа хъуатэкъыми, пащтыхь щIалэм и къалэнхэр дзэпщ Аитмэш и пщэм далъхьащ. Фэрэдж къыщалъхуам щыгъуэ и адэм цIэуэ фIищар «Бэлыхьыкъуэ»-щ, къыщалъхуа махуэм бэлыхь хэту ирихьэлIати. Хьэрыпхэм цIэр зэратхар «Бэлгъакъ»-щ. ИужькIэ, зыхэхуауэ щыта бэлыхьыр дахэкIэ щызэфIэкIыжым, «Фэрэдж» фIищыжащ, хьэрыпыбзэкIэ «насып къэкIуэгъуэ» къикIыу.**I-2 Фэрэдж и сабиигъуэми къэмыланджэу, хахуэу щытами, егъэлеяуэ щхьэпст, пащтыхь хъууэ тахътэм щытетIысхьами апхуэдэт ефауэ зауэм Iухьэрт, чэф хъухункIэ ефэрти, жэщкIэ уэрамхэм къыщиджэдыхьырт, лъэхъуэщым иридзахэр къыщIыригъэшырти, нэхъ зыхузэгуэпхэр къыхишурэ иукIырт, и IитIымкIэ фIигъэжырт, хьэдэ фIигъэжам кIуэцIыпкIэрт, итIанэ тегъутхьэжырт*3. Тхыдэтххэм, Фэрэдж и хьэл мыхъумыщIэхэр къызыхэкIауэ тхыдэджхэм къалъытэрт, и адэм и былыгущIэтхэр езым хуэфIу зэрыщымытарауэ*4. Фэрэджрэ и адэмри зэгурыIуэртэкъым. И адэ Бэрыкъуэм иригъэухуауэ щыта мэжджытыр икъутэнути, ирагъэкъутакъым, ауэ щIэлъыр щIихащ. Мэжджытыр щимыкъутэфым, и адэм и цIэри, и дамыгъэри мэжджыт блынхэм тещIыхьати, ахэр тригъэкIри, езым и цIэри, и дамыгъэри тригъэуващ, мэжджытыр зыухуауэ щыта Жэмалудин иригъэукIащ. *5 Къэбэрдей Аднан*6 и къэхутэныгъэхэм хэтщ, пащтыхь Фэрэдж, и адэм и гъуэгум щIытемытам и щхьэусыгъуэр «Фэрэдж и адэ Бэрыкъуэ лъэпкъщIэкъут, и лъэпкъэгъу адыгэр япэ иригъэщырт, увыпIэ яритырт, ауэ езым и къуэ Фэрэдж апхуэдэтэкъым. И анэр (Хъонд Ширин) Урым лъэпкъым къыхэкIати, и анэшхэр япэ иригъэщырт, абы щхьэкIи адыгэпщхэр хузэгуэпырт, яукIынуи, ятхьэлэнуи хэтахэщ». Ахэр зэгуригъаIуэу, тэтэрыдзэ къебгъэрыкIуам зыкъыхудигъэхуэну игугъати, къыдэхъуакъым. Щымыхъужым, илъэсихрэ ныкъуэрэ пащтыхьу тетауэ, тахътэм текIри, пащтыхьыгъэр езым и къуэш Абдулхьэзиз, илъэсипщI фIэкIа зи мыныбжьым IэщIалъхьащ, къэралыр дзэпщ Бейбарс зэрихьащ. Ауэ пщыхэр абыкIи арэзы мыхъуу, трагъэува Абулхьэзизыр, мазитIрэ махуипщIрэ фIэкIа мыпащтыхьауэ трагъэкIыжри, аргуэру Фэрэдж, зызыгъэпщкIуауэ щытар къраджэжри, пащтыхь тахътэм трагъэтIысхьэжащ. Фэрэдж и етIуанэ пащтыхьыгъуэр, илъэсихкIэ екIуэкIащ. А зэманым тета хъэлифатыр арэзытэкъым абыкIэ. «Пащтыхьу муслъымэн -хьэрып щIыналъэм тетын хуейр Мухьэмэд Бегъымбарым и щIэблэм щыщу щытын хуейщ» - жиIэу псалъэмакъ къыщиIэтым, Фэрэдж ар идакъым. Дамаск быдапIэм тэтэрхэр димыгъэхьэну зауэу, къаубыдри яукIащ. Фэрэдж езыгъэукIа хъэлифатыр пащтыхьу теувами, мазих къудейщ зэрытетар.*7 Темыр щIакъуэ и дзэм щхьэщыту, Антаб къалэ къритхыкIри, Фэрэдж и къуэдзэ Хьэлэб къалэм и тет пщы Дымырдаш, Щам къалэм и тетымрэ тхылъ яхуригъэхьащ «политикэм хэзмыщIыкI Шэрджэсхэм я бжым фыкъыщIэкIи сэ фыкъызгуэувэ» жиIэри. АбыкIэ зыхуейтэр, Фэрэдж и къарур зэпкъригъэщэщынрати, къехъулIащ.*8 Пащтыхь Фэрэдж и лъэхъэнэр щIагъуэу щымытауэ зытх щыIэщ, нэхъ къызыгурыIуэхэм, зэрыщытар тэмэму ятх. Сыт хуэдэу щымытами, абы илъэкIащ, тэтэр зэрыпхъуакIуэхэр Дамаск дихужыну, Мысыр щIыналъэри, абыхэм ящихъумащ, муслъымэнри, муслъымэн динри, щэнгъуазэри, хьэрыпыбзэри, щIэныгъэри иригъэфIэкIуащ. Еезыр тету тэтэрхэм я дзэр Дамаск дыхьэри зэтракъутащ. Ахэр махуэ бгъущI дэсати, яхузэщIэкъуэр зэщIакъуэри, дэжыжахэщ, Фэрэдж и дзэм зыIуамыгъащIэу.*9 Фэрэдж сулътIан, Шэрджэс пащтыхьхэм я нэхъ щэджащэу къалъытащ, зауэ IуэхухэмкIэ лIыхъужьт, ухуагъэ уардэхэр куэду Каир къалэ дищIыхьащ. И лъэхъэнэм щIэныгъэлIхэмрэ, тхакIуэ-усакIуэхэмрэ заужьаж. *I0 ………………………………………… I-2** ТIэрхъан, Каир, I960, нап 26, 27,28,29,30. 3* Расим Рушдий, адыгэ тхыдэтхым, Фэрэдж хужаIахэр и жэгъугъухэм пцIыуэ кIэралъхьауэ къелъытэ. Еплъ «Мысыр, Шэрджэсхэр», Каир I948, нап 6I. 4* Сэлим Рызкъ, том 2, етIуанэ Iыхьэ, нап 54. 5*Къэбэрдей Аднан (СулътIан Фэрэдж) "Зэкъуэшыныгъэ" журнал, "Адыгэ фIыщIэ хасэ" Уадий Iэссир къалэ, № I36, 2005 гъэ, на 3-4. 6* Сэлим Рызкъ, Каир, I947, том 2, япэ Iыхьэ, нап 44,45,46. 7*Аббасидхэм я хъэлифатыр Багдад къикIыу Каир я хэщIапIэ хъуа иужь, абыхэм я къарур щIэкIащ, къэрал Iуэхум щыщу я хузэфIэкIыжыр, дин зехьэным епхарат: цIыхубэр абыхэм зэреплъыр, къызэрыгуэкI ефэндым зэреплъым хуэдэут. 8* ТIэрхъан, Каир, нап, 79. 9* Сэлим Рызкъ, том 2, япэ Iыхьэ, нап 325. I0*Сэлим Рызкъ, том I, япэ Iыхьэ, нап 44,45,46. Пащтыхь Щехъ Ал-Мыхьмудий (I4I2-I42I) Пащтыхь Щехъ Ал-Мыхьмудий Каир къыщысам щыгъуэ и ныбжьыр илъэс I2-т зэрыхъур. Ар щIалэ къабзэт, бзэ IэфIт, гурыхуэт. Абы пащтыхьыгъуэр къызэрылъысар адэ щIэинукъым, атIэ езым и лIыгъэкIэ къилэжыжащ. Кавказым ар къизышар Iэлхъэуаджа Мыхьмуд Щах Шэрджэс жыхуаIэ сатуущIэращ,.*I Бэрыкъуэм ар сатуущIым и деж къыщищэхуащ, МуIэед зи цIэ щIалэр, динар 3000-кIэ. Ар щригъэджащ, Кавказым ираша шэрджэсхэр щырагъэаджэ, щагъасэ еджапIэм. ЕджапIэр къызэриухыу, хуит къищIыжащ, тыгъэуи шы-уанэ зэтелърэ, щэкI лъапIэрэ иритащ, езым и " джамдар*2-щыгъын зехьэ" къулыкъури и пщэм дилъхьащ, нэхъ зыбгъэдишэри, и блэгущIэт ищIащ, "псызехьэ" IэнатIэри IэщIилъхьащ. Ахэр щхьэщихыжри, зауэлIи I0 IэщIилъхьащ, адэкIэ, абыхэм я бжыгъэр 40-м нэсын хуейуэ. А увыпIэр иIыгъыу, Мысырым икI хьэжыщIхэм я унафэщI ищIри, I398 гъэм Хьиджазым игъэкIуащ. Бэрыкъуэ и къуэ СулътIан Фэрэдж и тетыгъуэм зауэлI I000-м я дзэпщу, Триполирэ Щамрэ ягъэкIуащ, а щIыналъэхэм сулътIаным и унафэхэр щыпхигъэкIыну, (а зэманым, ар увыпIэшхуэт). А зыдыщыIэм щыIэу илъэкIащ, сулътIан Фэрэдж и пащтыхьыгъэм тридзу, абы и пIэкIэ, хъэлифат Iэл-мустэхьин пащтыхь тахътэм тригъэтIысхьэну, иужькIэ ари лъэныкъуэ иригъэзри, езым пащтыхь тахътэр иубыдащ. СулътIан Щехъ Iэлмыхьмудий пащтыхьыгъэр мыадэщIэину, езым и лIыгъэкIэ къэзэрилэжьам хуэдэу, мы сулътIанхэри пащтыхь тахътэм нэсахэщ: Тэтэр-ТIэтIэр, Инал, Бэрысбей, Чыкъмыкъ, Жанболэт, Тумэнбей.*3 Тхыдэтх Абдуррхьман Зэкий *4 абы хужиIащ "пащтыхь хахуэт, дзэ зешэным хуэIэкIуэлъакIуэт, зыхуэфащэм етэрт, зыхуэмыфащэм пиубыдырт, кIыхьт, ныбэкът, нахъуэт, жьакIацэт, макъ лъагэт, губжьамэ хъуанэрт, ткIийт, и пащхьэ уиувамэ, уи гур игъэкIэзызырт, щIэныгъэлIхэр фIыуэ илъагъурт, музикэм хуэIэижьт, жьакIуэт, и зыхуэпэкIэр къызэрыгуэкIт, и псэукIэкIи цIыхубэм къащхьэщыкIыртэкъым, куэдри яхыхьэрт, абы щхьэкIи цIыхубэм фIыуэ къалъагъурт. ЗэрыжаIэжмкIэ, хьэрыпыбзэр къыгурыIуэрт, абыкIи усэ зэхилъхьэрт».*5 Аббасидхэм я хъалифатыр хэтащ пащтыхь Щехъ и тахътэм тридзыну. АрщхьэкIэ, къещэм и гуращэр къищIэри, езы хъэлифатыр яригъэубыдри, Александрей къалэ иригъэшащ, абы къыдэкI мыхъун тезырыр телъу. Абы и пIэкIи езым и къуэш Дауд хъэлифату игъэуващ. Щехъ илъэси 8-рэ мазитхкIэ пащтыхьу тетащ. Абы и лъэхъэнэм щIэныгъэр ефIэкIуащ, мэжджыт дахэхэр яухуащ, абыхэм я нэхъ цIэрыIуэр езым иригъэщIауэ, ноби Каир дэтырщ. Абы и ухуэныр I4I5 гъэм къыщыщIидзэри, илъэсиплIкIэ елэжьахэщ. Мэжджытыр щригъэщI щIыпIэм ита лъэхъуэщыр*6 икъутэри, абы и пIэкIэ мэжджытыр яригъэгъэуващ. Мэжджытым и ухуэным кIэлъыплъащ, унащIэ Iэзэ, Бырч и къуэ Мухьэмэд. Абы елэжьащ ухуакIуи I00-м, унафэщI 30 ящхьэщыту, текIуэдащ динар мин 40. Мэжджытым тхылъ хъумапIэ телъыджэ хэтщ. Абы тхылъ лъыпIэхэр щIэлъщ, я бжыгъэр том 500-м нэсырт, а зэманым щыIа егъэджакIуэхэм я нэхъыфIыр абы щылажьэрт. А мэжэджытым щыщIалъхьащ пащтыхьыр, езыр псэу щIыкIэ дунейм ехыжа и къуэ Ибрахьими. Пащтыхь Щехъ, I9I4 гъэм, уэсмэныдзэм къащтауэ щыта щIыналъэхэр хуит къищIыжащ, езым и къуэ Ибрэхьим, и дзэр IэщIилъхьэри, тыркумэнхэм къаубыда щIыналъэхэр къаIэщIигъэкIыжурэ, Къэисэрей*7 къали нэсауэ щытащ. Пащтыхь Щехъ дунейм зэрехыжу, пщыхэр зэдарэзуэ, и къуэ быдзафэр пащтыхь тахътэм трагъэтIысхьащ, кърал Iуэхур пщы Тэтэр и пщэм далъхьащ иужькIэ абы пащтыхь быдзафэм и анэр щхьэгъусэу къишэжри, езыр сулътIану теуващ. Куэдрэ тетакъым, сымаджэ хъури лIащ, езым и къуэ илъэс II зи ныбжь Ахьмэд пащтыхьыгъуэр лъысащ, къэралыр пщы Жани Бэч зэрихьащ. Жани Бэч къеныкъуэкъу Тыкъумакъхэ пщы Бэрысбей къытекIуэщ, къиубыдри лъэхъуэщым иридзащ, езы Бэрыс Бей, пащтыхь Iуэхур зэрихьащ. И къарур щырикъум, пащтыхь щIалэр лъэныкъуэ иригъэзри, езыр пащтыхь тахътэм тетIысхьащ.*8 ............................... *I. "Ал-Мыхьмудий" Кавказым изыша, шэрджэс лъэпкъым къыхэкIа "Мыхьмуд"- псалъэм и кIэухыу къакIуэ "й"-р, иджырей адыгэбзэмкIэ "ей" еиныгъэ къэзыгъэлъагъуэ кIэухыу къокIуэ, -Хэт ей? УпщIэм, Мыхьмуд ейщ-и жэуапу. *2. "джамдар" персыбзэщ, псалъитIу зэхэтщ, "джама-щыгъын", "дар-зыIыгъ" *3. ТIэрхъан, Каир, I960, нап 232, 233. *4. Абдуррхьман Зэкий «Каир и тхыдэ». Расим Рушдий «Мысыр, Шэрджэсхэр» Каир I946, нап 62.. *5. Рызкъ, Каир, I962, том I, нап 47,48. *6. Щехъ, иджыри пащтыхь мыхъуауэ, и ныкъуэкъуэгъухэм къаубыдри, а лъэхъуэщым щIадзауэ щытащ. Езым зэрыжиIыжымкIэ, а лъэхъуэщым егъэлеяуэ гугъ щихьащ, бжьыдзэмрэ, аргъуеймрэ щыетати. Абы къыхэкIэ Тхьэ иIуат, къызэрыщIэкIыжу, ар икъутэу, абы и пIэкIэ мэжджыт иригъэщIыну. (Бын Ияс, том 2, нап 6. ) *7. Иджырей Тырку Республикэм хыхьэ къалэщ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къалащхьэ Налшыкрэ Къэисэрейрэ, зэкъуэшыныгъэкIэ зэбгъэдэтыну зэгурыIуэныгъэ зэдатхащ, къалитIым я унафэщIхэм. *8. Расим Рушдий, Каир I948, нап 64. Сэлим Рызкъ, том I, япэ Iыхьэ, нап 47,48. Пащтыхь Бэрысбей (I422-I438) И цIэр тхыгъэхэм зэритыр: (Бэрысбай бын Абдулыхь Iэбу Iэннэсыр Ал-Дыкъумакъий -Абдулыхь и къуэ Бэрысбей «текIуэныгъэр зибэ» Тыкъумакъхэ) Пащтыхь Тэтэр и щхьэгъусэ иригъэкIыжар щхъухькIэ щригъэукIым, абы и къуэ сабийуэ къыщIэнар зыпIыжар Бэрысбейщ. Абы щыгъуэм, Барысбей пащтыхьым и тхакIуэ къалэныр игъэзащIэрт".* Бэрысбей сулътIан Бэрыкъуэ и блыгущIэту щытащ. Бэрыкъуэ и къуэ пащтыхь Фэрэдж и псы зехьэу Iутащ. Абы хэтурэ зауэлI I00 бжыгъэхэр IэщIалъхьащ, етIанэ зауэлI I000-м и унафэщI хъуащ. Пащтыхьым и къуэдзэу Дамаск ягъакIуэри, щIыналъэр зыхуей хуигъэзащ, абы къикIыжри, Каир дэсащ пащтыхь тахътэр IэщIалъхьэхункIэ. Тхыдэтххэм абы хужаIащ: «…И щхьэ пщIэ хуэзыщIыж пащтыхьт, политик Iэзэт, хьэлкIэ къызэрыгуэкIт, дахэу зихуэпэну фIэфIт, пащтыхь хабзэхэм хуэсакъырт, фадэ зыIуилъхьэртэкъым". Барысбей и лъэхъэнэм пащтыхь щIыналъэр Евфрат псым нэсауэ щытащ. Кипр хытIыгум и пащтыхьыр къытеуэурэ игъэгузавэрти, и кхъухьыдзэр иузэдри япэщIэувэу щIидзащ. Кипрым и пащтыхьым Жор зехьэхэм я пашэ зищIри, Александрей къалэ къытеуэри, и дзэр махуищкIэ дэтащ хъунщIэу. Махуищ нэужьым дэкIыжахэщ, гъэр 5000 яIыгъыу. А къытеуэ-нытеуэм пащтыхь Бэрысбей къигъэгубжьри, и хыдзэр нэхъыбэ ищIащ, я бжыгъэр кхъухь 40-м нигъэсащ. I425 гъэм ахэр иригъажьэри, Лимассол къалэр къащтащ. Каир къагъэзэжащ гъэр I.000-м щIигъу яIыгъыу. Ахэр Каир и бэзэрхэм щащащ. ЕтIуанэ илъэсым Бэрысбей и кхъухьыдзэр аргуэру хым тригъэхащ. Абыхэм жорзехьэ хъунщIакIуэхэм я кхъухьхэр ягъэсащ, щIыми телъадэхэри, я лъэсыдзэри зэтракъутащ, я пащтыхь Джимс Лузиджани гъэр къащIащ. Хым щызекIуа и дзэр Каир къэсыжащ, текIуэныгъэр къахьауэ, пащтыхьри яхэту гъэр мин бжыгъи ящIыгъуу. Кипр и пащтыхь Лузиджин Iэпхлъэпхыу, пащтыхь Барсыбей и деж щыщIашэм, абы и пащхьэ къитт уэсмэнхэм я лIыкIуэхэр, Мэчэ и унафэщIыр, Тунис и пащтыхьыр, нэгъуэщI лIыщхьэ гупи. «Джимс», пащтыхь гъэрыр, пащтыхь Бэрысбей и пащхьэ щиувыкIым, Бэрысбей абы унафэ хуищIащ, зыхуигъэщхъыну, и натIэр щIым лъэIэсыхункIэ, зыхищIыхьа щIэпхъаджагъэхэм къыхэкIкIэ. Пащтыхь «Джимс» ехуэхащ къэмытэджыжыфу. Зы зэман дэкIри, къэрал лIыкIуэхэм я лъэIукIэ, Джимс гъэрыпIэм кърашыжащ, и пащтыхьыцIэр игъащIэкIэ зэрихьэну хуимытыжу. Ар Кипр хытIыгум ягъэкIуэжащ, пащтыхь Бэрысбей и унафэхэр абы щыпхыригъэкIыну. Апхуэдэу, Кипр хытIыгур Шэрэджэс пащтыхьхэм яIэщIэлIащ, адыгэ-Бырч къэралыгъуэр къутэжыхункIэ.* Пащтыхь Бэрысбей и пащтыхьыгъуэр Мэчэ, Джэддэ къалэхэми нэсат, дыгъэ къуэкIыпIэмкIэ щызекIуэ сату гъуэгухэри IэщIэлът. Ар фIыуэ ягурыIуэрт Франджы пащтыхьхэм, уэсмэнхэм я сулътIанхэм. Нобэми Каир къалэ дэтщ абы иухуа мэжджытыр. Ар тетщ, Гъурым и цIэкIэ щыIэ уэрамым и къэгъэшыпIэм деж. Тхыдэтххэм а лъэхъэнэм щыIа пащтыхьхэм я нэхъ хахуэу къалъытащБэрысбей. ФIыщIэ лей хуащIауэ щытащ, пащтыхьым и пащхьэ иувэ цIыхум, щIыхьыр зыкъутэ хабзэхэр захригъэну, Iэм ба хуэщIын закъуэр къызэригъэнатэм щхьэкIэ. Бэрысбей дунейм ехыжащ щэбэт махуэу, I438 гъэм. Пащтыхьыу тетащ илъэс I8-нэблагъэкIэ. И ныбжьыр илъэс 60 ирикъуауэ лIэри, пащтыхьыгъуэр езым и къуэ, илъэс I4 фIэкIа зимыныбжь Исуф лъысыжащ. Ауэ ар мазищ фIэкIа тетакъым, пащтыхьым и дзэпщ Чыкъмыкъ тахътэм трагъэтIысхьащ. ……………………………….. *Джэрыджэ Зидан (Иджырей Мысырым и тхыдэр), 2-нэ том. *ТIэрхъан и тхылъым нэхъ зэпкърыхауэ итщ. Пащтыхь Чыкъмакъ (I438-I453) И цIэр тхыгъэхэм зэритыр (Iэлмэлек «Iэззахьер» Чыкъмыкъ Бын Абдуллыхь- пащтыхь "наIуэр", Абдуллыхь и къуэ Чыкъмыкъ) Мыхьмуд Рызкъ Сэлим зэритхыр: (Сэифуддин Iэбу Сэхьид Чыкъмыкъ АлхьэлаIий-Диным и сэшхуэ, Схьид и адэ, АлаIхэ Чыкъмыкъ). Чыкъмыкъ лъэпкъкIэ адыгэщ, Кавказым къизышар Ал-хъэуаджа Къызылщ. Абы и деж къыщызыщэхужар Исуфхэ Инал и къуэ дзэпщращ, Абы, ар пащтыхь Бэрыкъуэм иритри, Бэрыкъуэм ар и блыгущIэт ищIащ. КъулыкъукIэ дэкIуэтейурэ, тетыгъуэмкIэ ныкъуэкъуэгъуу къыщыувым, Бэрыкъуэ и къуэ Фэрэдж Чыкъмыкъыр къиубыдри, лъэхъуэщым щIидзащ, итIанэ къиутIыпщыжащ. Пащтыхь Бэрысбей и лъэхъэнэм дзэпщу щытащ.*I Чыкъмыкъ и ныбжьыр илъэс 69-рэ ирикъуауэ пащтыхь тахътэм тетIысхьащ. Къыпэрыуэ псори я пIэ иригъэзагъэри, къэралыр гупсэхуу, зэрихьэу щIидзащ: Жан Бэч «тхакIуэр-тхылъ зехьэр»*2 къеныкъуэкъуну къызэрищIэу, къиубыдри, лъэхъуэщым щIидзащ. Чыкъмыкъ щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм я зэIущIэхэм хэтыну фIэфIт. Абы и лъэхъэнэм къэралыр мамыру псэуащ, ибэхэм гущIэгъу яхуищIырт, цIыхубэм яхэтт, езыхэм ящыщым хуэдэу. ЩIэныгъэлI е цIыхушхуэ и деж къыщIыхьамэ, хуэтэджырт, Iэсэу псалъэрт, шууэ къикIухьыну фIэфIт, фадафэтэкъым, цIыхубзи зэришэртэкъым.*3 Чыкъмыкъ и политикэ IущымкIэ, зауэ-банэ куэди хэмыту, нэгъуэщI пащтыхьхэм ягурыIуэрт. Къэжэрхэми, Азие ЦIыкIум ис пщыхэми Iмал къахуигъуэтыфырт: Анэдолэм щытепщэ тыркумэнхэм я пхъуитI къишэри, малъхъэ яхуэхъуащ. Абыхэм зэпымыууэ тыгъэхэр къыхурагъэхьырт, якум дэлъ зэныбжьэгъугъэр зэрахъумэр кърагъэкIыу. Езыри ядэIэпыкъурт, къыхуащIа тыгъэм пэкIуэж тыгъи яхуищIыжырт. I440 гъэм Анэдолэм къикIа тыркумэн лIыкIуэхэм къыздахьа тыгъэ лъапIэхэм ягъусэт, езы шах унагъуэм щыщ зы щIалэ, Чыкъмыкъ а щIалэр и унагъуэм хигъэхьащ, къыхуэупсахэми динар мин I5 и уасэ тыгъэрэ Iэщэрэ яхуригъэхьыжауэ щытащ.*4 I440 гъэм Андалузие щыIэ муслъымэнхэм я гъунэгъу Франджхэр къащеныкъуэкъум, абыхэм я пащтыхь Мухьэмэд и къуэ Абу Абдулыхь къыдэIэпыкъуну зэлъэIуар, Мысырым щыIэ Чыкъмыкъ пащтыхьращ. Чыкъмыкъ абы и лъэIур хуигъэзэщIащ, дзэ хуимыгъэкIуэфами, мылъкукIэ дэIэпыкъуащ.*5 I443 гъэм, Ифиубием и император ЗырI, пащтыхь Чыкъмыкъ лъэIу тхылъ хуригъэхьауэ щытащ, Мысырым ис КъубтIхэм-чристэнхэм лей къытримыгъэхьэну; тхылъым дищIыгъуат, пащтыхь унэм щIэсыну цIыхубз гъэса 70, дыщэм къыхэщIыкIа тас-къубгъан, фэ лъапIэм къыхэбзыкIа шы Iэпс-лъэпс лъапIэхэр. Ифиубиемрэ Мысыр пащтыхьыгъуэмрэ, Чыкъмыкъ и лъэхъэнэм мамыр дыдэу щытауэ пхужыIэнукъым: I449 гъэм Ифиубием и Император ЗырI Ехькъуб Нилым и къежьапIэр Мысырым пиубыдыну хэтащ. I444 гъэм, Уэсмэнхэм я дзэр, Варна зауэм, Маджархэм зэрытекIуам щхьэкIэ, Уэсмэнхэм я сулътIан Мурад, пащтыхь Чыкъмыкъ, муслъымэнхэм я къыщхьэщыжакIуэу къилъытэри, фIыщIэ къыхуищIу гъэр 50, цIыхубзитху, данэ щэкI, тыгъэу къыхуригъэхьащ.*6 Чыкъмыкъ и кхъухьыдзэр Испарт зауакIуэхэр зыщагъэбыда, хытIыгу Родос щэрэ теуащ, хытIыгур къаIэщIигъэкIыу, и кхъухьыдзэр Хы хужь курытым хуиту щызекIуэн щхьэкIэ; япэр I440 гъэм, етIуанэр I443 гъэм, ещанэращ къыщехъулIар, Родос дыхьэу зэтрикъутэну. Абы щыгъуми, Аспартхэр хуикIакъым хытIыгум, зэгурыIуащ зэныбжьэгъуну, икIи ахэр хуиту псэуахэщ, I453 гъэ пщIондэ, уэсмэнхэм я дзэр илъадэу зэIэщIалъхьэхункIэ. Чыкъмыкъ Уэсмэн (тырку) къэралыгъуэм фIыуэ хущытащ, ар нэхъ иригъэфIэкIуэн щхьэкIи, Шах Задэ гуащэр щхьэгъусэу къишащ. Уэсмэныдзэм Канстантинобыл, I453 гъэм къыщищытами, Чыкъмыкъ ядэгуфIащ, а Iуэхуми хьэгъуэлIыгъуэшхуэ ирищIэкIауэ щытащ.*7 Чыкъмыкъ илъэс пщIейм щхьэдыхауэ сымаджэ щыхъум, езым и къуэ Фэхъруддин Iусман пащтыхь тахътэм трагъэтIысхьащ; ( ар зэрытетар махуэ 43-рэщ,) махуэ I2 дэкIри, щIалэм и адэ Чыкъмыкъ дунейм ехыжащ. Гъубж махуэу, илъэс I4-рэ мази I0-рэкIэ пащтыхьауэ. Пащтыхь трагъэувар трихуу езыр теувэну хэтащ хъэлифатыр, ауэ ар къыдэхъуакъым. Пщыхэр зэхуэсри, унафэу къызэдащтащ, Инал пащтыхьу тахътэм трагъэтIысхьэну. …………………………………………………….. I*Бацэжь, том 4, япэ Iыхьэ, нап 289, 290. 2* Пащтыхь чэщанэм щIэсым игъэзащIэ IэнатIэщ, абы къэхъу-къащIэхэр етх. 3*"Шэзэратуз-зэхьэб" том 7, напэ 29I. 4*. ТIэрхъан, нап I23,I24,I25. 5* Расим Рушдий, Каир, I948, нап 72, 73, 74. 6,7* ТIэрхъан (Иджырей Мысырым и тхыдэр), Каир I960, напэ I46, I65. Пащтыхь Инал (I453-I46I) И цIэр зэратхыу щытар (Iэлмэлек IэлIэшрэф Сефуддин Iэбуннэсыр Инал IэлхьэлаIий-щIыхьышхуэ зиIэ, диным и сэшхуэ, текIуэныгъэм и адэ, IэлаIхэ Инал). Инал пащтыхь Бэрыкъуэ и лъэхъэнэм къэхъуащ, пэгъунэгъуи щытащ. Бэрыкъуэ и къуэ Фэрэдж и лъэхъэнэм бэрэбанауэхэм-фэндауэхэм я унафэщIу щытащ (апхуэдэ IэнатIэ щыIэт), итIанэ къэхъукъащIэхэр зытх гупу пащтыхь чэщанэм щIэсхэм я нэхъыщхьэу ягъэуващ. Абы къытрагъэкIри, кхъухьыдзэм и дзэпщ ящIащ; Бэрысбей и пащтыхьыгъуэм, зауэлIи I00-м и тет хъуащ, абыхэм я бжыгъэр миным нэсати, дзэпщ ящIащ. Пащтыхь Инал лIы кIыхьт, жьакIэ мащIэт, цIыху щабэт, щыуагъэ зэримыщIэнум хущIэкъурт, пщыхэм, щIэныгъэлIхэм зэпымыууэ етэрт*I. Инал тахътэм зэрытетIысхьэу, тет хъэлифатыр текIыну унафэ къыщыдигъэкIым, "техьэн-текIыным и унафэр зыщIыр езы хъэлифатращ"-жиIэу адрейм къыщыпиубыдым, хъэлифатыр Александрей лъэхъуэщым иригъашэри, лIэжыхункIэ абы исащ. И лъэхъэнэм Франджыхэм Кипр хытIыгур зэIэщIаубыдэжыну иужь ихьахэти, Инал и кхъухьыдзэр щIэрыщIэу иузэдыжри, я гуращэр зэпиудащ. Абы иужькIэ, ахэр Пащтыхь Инал хуэфI хъуахэщ: I458 гъэм, Кипр и пащтыхь гуащэ Шарлоттэрэ, и дэлъху Джимс ЕтIуанэмрэ щызэщыхьэм, я зэгъэкIужакIуэу щытар пащтыхь Иналщ, абы щхьэкIи, зэдэлху-зэшыпхъум пащтыхь Инал тыгъэ лъапIэхэр къыхуащIауэ щытащ*2. Пащтыхь Инал и щIыналъэм и ищхъэрэкIэ зызукъуэдий пщыгъуэхэм я унафэщI пщыхэм къэралым зыпагъэщхьэхукIыну загъэхъеяти, и дзэр яхуигъакIуэри, япIэ иригъэзэгъэжахэщ, Къэисэрей къали дыхьэри зэтрикъутащ. Пащтыхь Инал и тетыгъуэм сату Iуэхур зэIыхьащ, ахъшэ нэпцIхэр дунейм къытехьати. I455 гъэм, абы ебэнурэ, цIыху гъэпцIакIуэ куэдыр сэшхуэкIэ тIууэ зэпаупщIащ (апхуэдэ тезыр щIэкIэ щыIащ а зэманым). Ауэ абы щхьэкIэ Iуэхур нэхъыфI хъуакъым- бэзэрхэм щызекIуэрт ахъшэ нэпцIхэр. Пащтыхь Инал мэжджытрэ еджапIэрэ куэд иригъэухуащ, абыхэм я нэхъ дахэр пшахъуэщIым щригъэщIарщ. Абы сабийхэр щрагъаджэрт, гъуэгурыкIуэми зыщигъэпсэхурт. ЕджапIэм и дыхьэпIэм тещIыхьат езы Инал и пащтыхь дамыгъэр: хъумпIырэ, шэкъалъэ-тхэпсылъэ, кумбыгъэ, гынылъэ бжьакъуитI.*3 Пащтыхь Инал I46I гъэм махуэку махуэу дунейм ехыжащ, пащтыхьу илъэси 8-рэ, мазитIрэ, махуэ I6-рэ тетауэ. Ар дунейм зэрехыжу, пщыхэр зэгурыIуауэ, езым и къуэ Ахьмэд, илъэс 37-рэ зи ныбжьым пащтыхьыгъуэр лъагъэсащ. Пащтыхь Ахьмэд, пщыхэр зэрызэгуримыгъэIуэфтэм щхьэкIэ, унафэ къызэдащтэри, пащтыхьыгъуэр трахащ, нэщI мазэм и I8-м, мазиплI фIэкIа темытауэ. Пщыхэм ямурадащ, Щам и унафэщI пщы Жаным пащтыхьу трагъэувэну. Ар къэсыхункIэ, Хъушкъэдэм дзэпщым пащтыхьыгъуэр пIалъэкIэ IэщIалъхьащ. Хъушкъэдэм адыгэтэкъым, лъэпкъкIэ Урымт. Ауэ, Хъушкъэдэм пащтыхь тахътэм яхутекIыжакъым, и тепщэныгъэр игъэбыдащ, пщыхэм я зэхуакуи дыхьэри, фIыкIэ зэгуригъэIуахэщ, дзэпщхэри и лъэныкъуэ къищIащ, пащтыхьыгъуэр зыхуагъэфэщауэ щыта Жаным иригъэукIащ. Апхуэдэурэ абы и пащтыхьыгъуэр игъэбыдащ. Хъушкъэдэм Жанымыр иригъэукIауэ адыгэпщхэм къызэращIэу, къагурыIуащ, хамэм пащтыхьыгъуэр зэIэщIилъхьэну зэрыхущIэкъур. Хъушкъэдэми полтик Iущти, адыгэпщхэр зэщигъэхьэжри, езым утыкур къыхуэнащ. Арати, Хъушкъэдэм илъэсихрэ ныкъуэрэ хуэдизкIэ пащтыхьу тетащ. Хъушкъэдэм дунейм зэрехыжу, Бэлэбей трагъэтIысхьащ пащтыхь тахътэм, ауэ ар цIыху щIыкIейт, мыхьэнэншэт, и Iэ къикI щыIэтэкъым, зыгуэркIэ еупщIахэмэ, «Хъербэч феупщI» фIэкIа япэIуэжыртэкъым-жэуап итыфыртэкъым, (Хъербэч Хъушкъэдэм и гупым я нэхъыжьт, арат къэрал унафэр зыIэщIэлъыр). Абы къыхэкIыуи, цIыхубэм Бэлэбей ауан ящIу «пащтыхь - мобы феупщI» цIэ лейр фIащат.*4 Пщыхэм Бэлэбей махуэ 66-рэ фIэкIа яхуэщэчкъым, трагъэкIри, абы и пIэкIэ Темырыбгъэ трагъэтIысхьащ тахътэм. Ари трагъэкIам зыкIи къыкIэрыхуртэкъыми, мазитI фIэкIа темытауэ, тахътэм традзри, абы и пIэкIэ пщы Къэтбей пащтыхь ящIащ. ………………………………………………. I*Джэрыджэ Зидан, (иджырей Мысырым и тхыдэр), том 2. Бацэжь, том 4, Iыхьэ I, нап 29I. 2*ТIэрхъан, напэ 36. «ТIэрхъан» унэцIэр, Адыгэ пащтыхьхэм я къэрал зэхэтыкIэмкIэ, къулыкъущIэ мылажьэу ягъэтIысыжа жиIэу къокI. Ар «пенсэ» лIэужьыгъуэт, къулыкъущIэ хабзэм ебэкъуар, тезыр хуэдэу, мылэжьэжыну ягъэтIысыжрт. Абы хуэдэм «пенсэ» пыухыкIаи палъхьэт. Нэхъ зэхэхауэ зыщIэну зыхуейр, ТIэрхъаным и (мысыр, адыгэ пащтыхьхэм я лъэхъэнэм» напэ I44-245-хэм иреплъ. 3*Сэхьид Хьашур, напэ I03-I2I 4* Маил, «дамыгъэхэр» Пащтыхь Къэтбей (I468-I496) Тхыдэтххэм къалъытащ Къэтбей адрей пащтыхьхэм губзыгъагъэкIэ, IущагъкIэ яфIэкIыу зэрыщытар. Ар егъэлеиныгъэ хэмылъу динщIэкъут. И ныбжьыр илъэс 60 ирикъуауэ пащтыхь хъуащ, щытеувам щыгъуэ къэралыр зэхэзэрыхьат, ахъшэ хъумапIэхэр нэщIти, ахэр псори и пIэ иригъэувэжри, цIыхубэм загъэпсэхужащ. Ар щыткIиинум деж ткIийт, щыщабэнум дежи щабэт. Тхылъ еджэрт. И бий нэгъунэ щIыхь хуищIырт: пшыхь зэхуэсхэм къригъэблагъэхэрт, спорт зэхьэзэхуэхэм иригъэплъырт, хьэжыщI кIуэнум дэIэпыкъурт. Шэрджэс пащтыхьыгъуэм и япэ лъэхънэм дзэм и бжыгъэр мин 24-рэ хъууэ щытамэ, Къэтбей и лъэхъэнэм, Мысыр и закъуэ мин 24-рэ щыIэт, Дамаск мин I2 щыIэт, Хьэлэб Къалэ мини 6, Триполи-мини 6, Гъэззэ- мини 2.*I И пащтыхьыгъуэм и къыщIэдзапIэхэм Тыркумэн лъэпкъым щыщ Iэблэстинхэм я пащтыхь Сиуар и щIыналъэм къытеуати, пщы Ешбэч я нэхъыжьу зекIуэ яхуигъакIуэри, Тигр псышхуэм нэс ирагъэкIуэтыжащ, я пащтыхь Сиуари гъэр къащIри, Iэпхлъэпхыу Каир къашащ. А лъэхъэнэм Бэрыкъуэр щам щIыналъэм щыIэт, пащтыхь унафэхэр абы щыпхигъэкIыу. Ещэбэч къиубыда Сиуар бэрыкъуэм и деж щIишаш, абы унафэ трищIыхьыну. Бэрыкъуэр Сиуар тIэу еупщIащ: «уэра Сиуарыр, уэра си дзэлIхэр зыукIар?»- жиIэурэ. Жэуап къритыжыртэкъыми, и блыгущIэтхэм унафэ яхуищIащ, щIашу яукIыну, ауэ Ещбэч яхуидакъым, «сымыукIыну псалъэ естащ» жиIэри. *2 Къэтбей и тетыгъуэм, Эфиопием и пащтыхьым гурыIуэрт, уеблэмэ, абыхэм ящыщ куэд и дзэми хигъэхьат, увыпIэшхуэхэри яритат.* 3 Уэсмэнхэм я сулътIан Мыхьэмэд ЕтIуанэр Къэжэрхэм я пащтыхьым и дзэм текIуауэ Къэтбей щызыхихым, къэгузэващ, абы и дзэр Сириеми къэсынкIэ шынэри. Ар къимыгъэхъун щхьэкIэ и дзэр игъэхьэзыращ пэувыну. А хъыбарыр СулътIан Баизед къызэрыIэрыхьэу, къэгубжьри, езым и малъхъэ Ахьмэд и дзэм щхьэщыту иригъэжьащ. Ауэ абы и дзэр Къэтбей и дзэм пэмылъэщу къикIуэтащ, Къэтбей и дзэми Каир къигъэзэжащ. Абы иужькIэ тIури зэгурыIуащ, зыр зым темыуэну. А тIум я зэхуаку дэлъ зэгурыIуэныгъэр куэдрэ иукъуэдиякъым. I5I2 гъэм Баизед ЕтIуанэм пащтыхьыгъуэр къызэрылъысу, езым и къуэш Джымрэ*4 зэщыхьащ. Джым Къэтбей и деж щтапIэ къэкIуащ, Къэтбеи ар иригъэблэгъащ икIи хьэжыщI игъэкIуащ. Баизед, ар игу техуакъым икIи къигъэгубжьащ. Къэтбей хуейтэкъым Джым и хьэтыркIэ Уэсмэнхэм ебиину. Арати, зэкъуэшитIыр зригъэкIужыну иужь ихьащ, арщхьэкIэ Баизед къыхуидакъым…*5 Курыт лIэщIыгъуэхэм екIуэкIа пащтыхь Къэтбей и лъэхъэнэм и кIыхьагъым нэмыщIауи, (илъэс 29-рэкIэ тетащ) империер а лъэхъэнэм лъэщу зиубгъуащ икIи къытеуэну къехъуапсэ уэсмэнхэмрэ тыркумэнхэмрэ и щIыналъэр ящихъумащ. А Iуэхум мылъку куэд зэрытекIуадэр зыхэзыщIар цIыхубэрщ. Абыхэм я мыарэзыныгъэр къагъэлъагъуэу зыбжанэрэ зэщIэхъэяхэщ, къэрал кIуэцIыр ягъэутхъуэу. Пащтыхь Къэтбей и хасэр куэдрэ зэхуишэсащ, Iуэхум и пэжыпIэр цIыхубэм ялъигъэIэсын мурадкIэ. а Апхуэдэу ямыщIмэ, и тахътэм текIыу, Мэчэ кIуэуэ дэтIысхьэжыныр нэхъ къызэрищтэри ягуригъэIуащ. ЦIыхубэр зыгъэпIейтей нэгъуэщI Iуэхуи щыIэт: I476 гъэм ахъшэ нэпцIхэр къежьэри, уасэхэр дэуэящ. Езы пащтыхьыр апхуэдизкIэ и щхьэм тешыныхь хъуати, цIыхубэ губжьам запыIуидзын щхьэкIэ, и чэщанэр зытет Iуащхьэм къехыу и лэжьапIэм кIуэн щыхъукIэ, кхъалъэхэм пхрыкIырт.*6 Мысырым и сату Iуэхур щызэIыхьэпар, Европэм и сату гъуэгур МысыркIэ блэмыкIыжу, Индым кIуэ гъуэгур къахута иужькIэщ.*7 Кипр хытIыгум илъэныкъуэкIэ тыншащ Кэтбей, абы телъ тезырыр илъэс къэсыхункIэ къыIэрыхьэрт ямыгъэгувэу, апхуэдэуи щытащ, шэрджэсхэм я пащтыхьыгъуэр Мысырым щыIэхункIэ. Пащтыхь Къэтбей и лъэпкъэгъу Бырчы адыгэ пащтыхьхэм ефIэкIащ унэ ин, дахэ, гъэщIэрэщIа ухуэнымкIэ. Абы къызэринэкIащ лъэмыж екIухэр, еджапIэ зэгъэпэщахэр, чэщанэ быдэхэр, зи Iэзэн джапIэхэр лъагэ мэжджытхэр, бэзэр хуитхэр. Абыхэм ящыщ куэд ноби къызэтенащ, дуней зыплъыхьакIуэхэр дихьэхыу.*8 I484 гъэм пащтыхь Бэрыкъуэ и кхъэм трищIыхьа кхъэлэгъунэм и дахагъэр, ухуагъэхэм хэлъ гъуазджэм дихьххэр, ноби абы йоплъыр замыгъэнщIу. Мэжджыт кIуэцIхэр зэрыгъэщIэрэщIа тхыпхъэхэр, сурэтыщIхэм, графикхэм я плъапIэщ. Ахэр псори гъуазджэр зыджым и дежкIэ телъыджэщ, а лъэхъэнэм щыIа дуней еплъыкIэр къегъэлъагъуэри. Абы «Зэмзэм»-псыр къызыщIэж псынэр къигъэкъэбзэжащ. илъэс къэсыхункIэ Чэбэр ихуапэрт*9, абы гуищIыхьащ, ибэхэр щагъасэ-щырагъаджэ еджапIэ, гъуэгурыкIуэм и зыгъэпсэхупIэ, Бегъымбарым и мэжджыт мафIэсым къигъэуауэ щытар, езыращ езыгъэщIыжар, Дамаск дэт Омейяд мэжджытышхуэр ихъумащ… Пащтыхь Къэтбей цIыхухэми дахэу яхущытт, езым и диным имыт чристэнми, журтми лей къатригъэхьэртэкъым: Уеблэмэ, Иерусалим дэт журтхэм я тхьэлъэIупIэр, къалэм и тетым и унафэкIэ якъутати, Къэтбей ар яригъэщIыжащ, зыкъутами тезыр трилъхьэри, башкIэ иригъэуащ. Пащтыхь Къэтбей тхьэмахуэу дунейм ехыжащ, къыкIэлъыкIуэ блыщхьэ махуэм Каир щыщIалъхьэжащ, илъэс 29-кIэ пащтыхьауэ. Ар зэрылIэу езым и къуэ Мухьэмэд пащтыхьэ тахътэм трагъэтIысхьащ, ауэ ар зэрытетар мазихщ. Абы и пIэкIэ Къанщауэ и къуэ Къанщауэ пащтыхь ящIащ. …………………………………….. *I. дзэм и зэхэтыкIам нэхъ щыгъуазэ зызыщIыну хуейр иреплъ, Ибн Ийяс, том,2, напэ I04, том, I0, напэ 309-3I0. Зиядэ «ЕпщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм Мысыр щыIа тхыдэтххэр» напэ 26-80. Iэлхьэриний «Мэмлюк шууейр» Мысырым и тхыдэр зыдж комитетым къыдигъэкI жорнал, I956 гъэ, напэ, 47-49. *2. епъ «Муслъымэнхэм я щIэныгъэр» инджылыбзэкIэ къыдэкIам, том 2, напэ 66I. *3. ТIэрхъан, Каир I960. *4. «Джым» Уэсмэнхэм я сулътIан Баизед ЕтIуанэм и къуэшщ. Ар европэми, Мысыри щыпсэуащ, и къуэшымрэ езырэ зэгурыIуэртэкъыми. Европэм щхъухькIэ щаукIыжащ. Еплъ: « turky. Pp. I46.I49-50. wiet. Pp. 59t.8. *5. «Ещбэч и тхыдэм» еплъ, напэ 36. *6. Бын Хъэлдун, том 5,напэ 433-434. *7. ТIэрхъан, Каир I960, напэ 264-265. «БэдаIихьил Зухьур» том 2, напэ 243. *8. Hist/ du Commerce. T 3. pp 232/ *9. «ихуапэрт» Мыхьэмэд бегъымбарым и кхъэр пцIанэу къагъанэртэкъым, абы щэкI лъапIэхэр траубгъуэрт, абыкIэ яхуапэрт. А Iуэхум увыпIэщхуэ щиубыдырт муслъымэнхэм я деж, пащтыхьхэр зэныкъуэкъурт, а кхъэм и хуэпэныр зылъагъэсын щхьэкIэ, ар къызэхъулIэм, щIыхьышхуэ къилэжьырт *.I0 нэхъыбэ зыщIэну хуейр иреплъэ, Зиядэ, напэ 202-203, Ибн Ийяс. Къанщауэ и къуэ Къанщауэ I496-I497 Къанщауэ и къуэ Къанщауэ Пащтыхь Къэт-бей и блыгущIэту щытащ. Каир дэт Iуащхьэм тет еджапIэу шэрджэс лIыщхьэ псори щеджам щIэтIысхьэри, ар къиухащ. ЛIы Iущт, хабзэщIэкъути, еджапIэ нэужьым илъэсих фIэкIа мылэжьауэ, пащтыхь тахътэр зыIэригъэхьащ, адыгэ пщы псори хуэарэзыуэ. Арат къэралым къытепсыха гъаблэм хэкIыпIэ къыхуигъуэтыну зыхуэфащэри щыуакъым. Гъаблэри къызэранэкIащ, къэрал кIуэцIми щIыбми къыщыхъуа шынагъуэхэм япэлъэщащ. Къэралым и ищхьэрэкIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ гъунапкъэм Iус Хьэлэб къалэм туркумэнхэр щызэщIэхъаеу щIадзати, и дзэр игъакIуэри, Iуэхур зэтес хъужащ, я нэхъ щхьэпщтырхэри гъэру къахуащ. Мысыр кIуэцIым щыеIуящIэхэм ТIумэбей (тхакIуэр)I* яхуигъакIуэри, Iуэхур зэтес ищIыжащ, ныкъуэкъуэн щызымыгъэтахэр къаубыдри, Iэпхэлъэпхыу Каир къашащ. И пащтыхьыгъуэм и илъэс етIуанэм, апхуэдиз Iуэхури зэфIигъэкIауэ, езым и дзэпщхэм щыщ Тумэнбейрэ Жанболэтрэ зэгурыIуэри, пащтыхьыр и тахътэм трагъэкIащ. Жанболэт пащтыхьу теуващ, ауэ абы и ныбжьэгъуу щыта Тумэнбей еижри, пащтыхь тахътэм мазих фIэкI темысауэ тридзри, Александрие иригъэшащ. Абы къыдэкIыну хуимыту дигъэтIысхьащ, зэман дэкIри, и блыгущIэтхэр кIэлъигъакIуэри, иригъэукIащ. Тахътэм тетIысхьа Тумэнбей Езанэм шэрджэс пщыхэр хуэарэзытэкъым, и ныбжьэгъуу щыта Жанболэт тридзу, иригъэукIыу езыр абы и пIэи зэритIысхьам щхьэкIэ. Ауэ езыри мазищ фIэкIа темытауэ, Къанщауэ Гъур я пашэу пщыхэр зэгурыIуэщ аби, къаубыдри щхьэпылъэ ящIащ. А зэщIэхъееныгъэм и пашэу щыта Къанщауэ Гъур пащтыхьу ягъэуващ. …………………………………….. * I. Зэратхыр (ТIуман Баи Iэд-дыуэдарий)-"ТIуманыр", Тумэн, Думэну къапсэлъми, псоми къагъэлъагъуэр цIэщ е, унэцIэщ; Баи, Бей, Бий, ахэр зэманкIэрэ, щIэпIэми елъытаурэ зэмыщхьурэ къапсэлъми, псоми къагъэлъагъуэр, цIэм къыпыувэ цIэ лейщ, зыпыувам щIыхь зэриIэр къигъэлъагъуэу. Псалэр къызытекIыжар «бэ» адыгэ псалъэрауэ къыщIэкIынущ. Къанщауэ Гъур I50I-I5I6 Къанщауэ Гъур зихъунщIэурэ пащтыхь тахътэм трагъэтIысхьащ, «унафэ щIыныр си хьэлкъым» жиIэурэ. ТрагъэтIысхьа нэужьи яжриIащ: « си гуапэ хъунущ зы махуэ гуэрым, дыпхуеижкъым» жыфIэу зыкъсхуэвгъазэмэ, тыншу си унэ ситIысхьэжынщ». * И цIэ тэмэмыр Джундобу* жызыIэ щыIэщ, ар ТIолон и къуэ СулътIаным фIищащ. ЯгъэлъапIэу; Гъур-кIэ еджэу адыгэ гуп щыIащ. Тхыдэтх цIэрыIуэ Ибн Ийяс Гъурым и теплъэр мыпхуэдэу къритхэкIащ « Лъагэт, инт, ныбэфт, хужьт, нэкIу хъурейт, нэ пIащэт, макъ лъагэт, жьакIэ зэпэхъурейт, тхъугъэ мащIэ хидзауэ». НэгъуэщI щIыпIэми щитхащ « Абы сытым щыгъуи зыкърихыну фIэфIт, щыщысми, щызекIуэми зыкъырихырт, уэрэд жаIэу едэIэуэну и щIасэт, гъуазджэм дихьэхырт, Iэлъын лъапIэхэр зыIэритIагъэрт, налкъутналмэсым къахэщIыкIауэ, зэмыфэгъухэу, я мыщIэхэр плъыжьу, щIыхуу, удзыфэу; дыху зытрикIэрейт, мэ дахэ зыщыу Iугъуэ къызыпих чы цIыкIухэр пигъанэурэ епэмырт, Iэнэ узэда, гъэщIэрэщIа пэрытIысхьэну и жагъуэтэкъым, щыгъынкIэ зэгугъужырт, зыкъырихырт, удз гъэгъахэм, пхъэщмыщхьэ зыпыт жыгхэм ящыгуфIыкIырт, жыг хисэрт, а зэманым щыIа джэгукIэхэм зыхигъэныртэкъым, зэрефэр дыщэ кумбыгъэт, шхэнуи фIэфIт, уэрэди жиIэрт. езым зэхилъхьауэ уэрэд къыщIэнащ, зыгуэрхэми пшыналъэ щIигъэувэжащ.»* Къанщауэ Гъур и къэралыгъуэм псори ныбжьэгъу къищIат- Каир я плъапIэт, я зэIущIапIэт. Ибн Ийяс и тхыгъэхэм къыхощ зы мазэм къриубыдэу къэрал пщыкIуплIым я лIыкIуэхэр и бжаблэм Iутауэ: къэжэрхэм я шахыр, Урым, Тыркумэн, Мароккэ, Мэчэ, езым и унафэр пхигъэкIыу Хьэлэб къалэ щыIэ пщым и лIыкIуэр, Индым, Франджым, нэгъуэщIхэр, нэгъуэщIхэри. I5I6 гъэм Ифиубием цIыху 600 къикIащ, Гъурым елъэIуну, Къудусым хьэж щащIын щхьэкIэ. Абыхэм я гугъу ещI Ибн Ийяс: "…тхьэмадэу яхэтар цIыхуитхущ, адрейхэр къызэрыгуэкIхэщ. Ахэр щхьэ пцIанэщ, я щхьэцыр къеупсэкIащ, щхьэкум акIэ къинауэ. Я тхьэкIумитIым дыщэ тхьэгъу къыполэл, я Iпщэхэм дыщэ Iэпщэхъу илъщ. къыздахьа гъущI шэнтым тетIысхьэнути, Гъурым яхуидакъым, и пащхьэ зэфIэту иригъэтахэщ. Ахъшэрэ тыгъэу къыздахьар къащыригъэпщытэм, езым япэ ита пащтыхьхэм къыхуахьу щытам нэхърэ нэхъ мащIэу къыщIэкIащ-ар игу ирихьакъым."* Италие, Франджы, Испание къэралхэмрэ езыр зи тепщэмрэ я зэхуаку зэныбжьэгъугъэ, мамырыгъэ дэлъын папщIэ тхылъ ядитхащ Гъурым. ИкIи ар къигъэсэбэпкIэрэ, Испанием и пащтыхьым зыхуигъэзащ, Рим дэс Попышхуэм хуилъэIужыну, Португалием и кхъухьыдзэ хъунщIакIуэхэм я щIэпхъэджагъэхэр щагъэтыну. Апхуэд политикэм наIуэ къещI Мысыр пащтыхьыгъуэр лъэщу зэрыщытар. Къанщауэ Гъур и лъэхъэнэм Португалиер етауэ хым хъунщIэу тетт, сатур илъахъэу. I504 гъэм португалхэр Мысырым и кхъухь I7 щIрагъэлъэфащ, Гъурым ар къызэрищIэу губжьащ, А кхъухьхэмкIэ пхъэ къашэу арат, езым и кхъухьыдзэ I505 гъэм щIрагъэлъэфахэм я пIэкIэ яригъэщIыжыну.* I508 гъэм Мысырым и кхъухьыдзэм и унафэщI Хьусен зришэр, Португалым и хы дзэпщ Лоронзорэ зэжьэхэуэри, Португалым и кхъухьыдзэр щIрагъэлъэфащ, я дзэпщ Лоронзорэ Инд хы тIуащIэм щызекIуэу щызэхэуэри, Португалым и кхъухьыдзэр щIрагъэлъэфащ, я дзэпщ Лоронзони яукIащ. А зауэм мысырхэм къащыдэIэпыкъуауэ щытащ Индым и кхъухьыдзэм и унафэщI Диу- Diu. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Португалым и лъыр ищIэжыну Мысырым и кхъухьыдзэм къытеуэри, Хы плъыжьым хахуэжащ, Аден портым и деж. А щIыпIэм къыщына Мысырым и кхъухьыдзэм и унафэщI Хьусен, Еимен щIыналъэм Шэрджэс Бэрысбей къытринащ, Мысыр пащтыхьым и унафэр абы щыпхигъэкIыну. А щIыкIэм тету, Еименыр Мысыр къэралыгъуэм и зы щIыналъэу ябж хъуащ. Мысырым и политикэм зыщихъуэжар, Уэсмэнхэм я пащтыхь Езид и къуэ Сэлим Мысырым ебгъэрыкIуэн мурад зэриIэр Гъурым къищIа иужькIэщ. Къанщауэ Гъур уэсмэнхэм фIыкIэ гурыIуэн и гугъати, адрейм зыкъыхуигъэпхъэшащ, хуигъэкIуа лIыкIуэхэм жэуапу къаритащ: « КIасэ хъуащ, вгъэзэжи фи сулътIаным жевIэж, зы мывэм тIэурэ дигъэлъэпэрапэркъым, дэ Каир дынокIэ, улIмэ, зыхъумэж». Хьэлэб щIыналъэм и ищхъэрэкIэ зыщызукъуэдий тафэм (Маржэ дэIэпыкъу) I5I6 гъэм уэсмэныдзэмрэ Гъурым и дзэмрэ щызэпэщIэувэри, Сэлим зи пашэ уэсмэныдзэм текIуэныгъэр къихьащ, Гъурыр зи пашэ шэрджэсхэм я дзэр къутащ, Хъебэчрэ Жан Бердрэ я гъэпцIагъэкIэ. А тIум я зауэлIхэр хашри, Гъурм и закъуэ утыку къранащ. Ибн Ийяс а къэхъукъащIэр къыщритхэкIым Хъербэч теухуауэ жиIащ: "Хъербэч и адыгэ фащэр щихри, тырку фащэр щитIэгъащ".* А зауэм и хъыбарыр адыгэ IуэрыIуатэми ихъумащ: Дзэ гущэу къытхуэкIуэр, Маржэ, дэIэпыкъу щогъуэлъ. Лъы гущэр ягъажэу Джатэ ихахэр щозауэ, Зауэм дыхыхьэ гущэмэ, Къанщауэ Гъурыр ди пашэ. Дзэ пашэ диIэр Хъербэчщ, дигъакIуэркъым, ДызэщIэкIуэнути, Къанщауэ Гъурыр мэзауэ, Зауэм щыхыхьэкIэ, Аслъэн хабзэу мэзекIуэ.* А зауэм езы пащтыхь Къанщауэри къыщаукIащ, илъэс I5-рэ, мази 9-рэ, махуэ 25-кIэ тетауэ. Гъурыр диным, гъэсэныгъэм егугъырт, цIыхубэм еущиерт мыхъумыщIагъэхэм зыпэIуадзыну, уеблэмэ, унафэ къыдигъэкIащ жэщым Iэщэ яIыгъыну хуимыту. Абы щIэныгъэ бгъэдэлът, бзэхэм хищIыкIырт, хьэрыпыбз, адыгэбзэ, тыркубзэ, къэжэрыбзэ, ермэлыбзэ, курдыбзэ ищIэрт, пIалъэкIэрэ щIэныгъэлIхэр зэхуишэсырти, дунейм щIэуэ къытехьа къэхутэныгъэхэмкIэ зэпсалъэрт, зэдауэрт. А хасэхэм къыщапсэлъахэр тхылъитIу тхауэ къэнэжащ, "Гъурым и хасэхэр" цIэр иIэу. ЩIэныгъэмрэ бзэмрэ нэмыщI, Гъурым къэкIыгъэр, щIым елэжьынри иригъэфIэкIуащ. Мысырым къыщымыкI пхъэщхьэмыщхьэхэр, удзгъэгъахэр нэгъуэщI щIыпIэхэм къришурэ, и щIыналъэм щигъэбэгъуащ, бзу дахэхэр, бзэрабзэхэр Каир дищIыхьа паркхэм иригъэтIысхьащ. Мэжджыт дахэхэр, еджапIэ зэгъэпэщахэр иухуащ. Езым и цIэкIэ щыIэ уэрамым мэжджыт дищIыхьащ, хамэ къэралхэм къикI сатуущIхэр щызэхуэс щIыпIэ, зыщагъэпсэхун хьэщIэщхэр, бэзэрхэр зэтригъэпсыхьащ, Ал-Азхар мэжджыт цIэрыIуэм и азэн джапIэ дахэр езыгъэщIар езыращ. Къанщауэ Гъур хуащIу щыта щIыхьым и инагъыр къегъэлъагъуэ и цIэм пагъэува цIэлейхэм. Абы и зэхуэсхэм щекIуэкIахэр зытхыжахэм, пащтыхьым и пщIэр зыIэт цIэлеи I0 къагупсысат: "ЩIым щызекIуэ, Тхьэшхуэм и жьауэ пащтыхь", "Тхьэшхуэ хабзэхэр щIым щызыхъумэ пащтыхь", "Хьэрыпхэмрэ мыхьэрыпхэмрэ я сулътIан", "ЩIэныгъэр езыгъэфIакIуэ пащтыхь", "Тхьэм ищIыр зыхъумэ пащтыхь", "Тхьэм къигъэщIа цIыхур тезыгъакIуэ пащтыхь", "Тхьэр зи фIэщ хъухэм япщ", "Муслъымэнхэм я Хъэлиф", "ЩIыхь зиIэ Мысыр лъапIэм и пащтыхь", "ТекIуэныгъэм и адэ", "Къанщауэ Гъур". ……………………………………….. *Мыхьмуд Рызкъ Сэлим, том 8, нап I20. * «джундоб» хьэрыпыбзэщ, ар "мацIэхъущ". Сэ си сигугъэкъым, ар и цIэ тэмэму щыткъым; жызыIи щыIэщ, (Джундоб) щIыфащар, и макъ дахэм и хьэтыркIэщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, ар цIэлейщ. * Бын Ияс, том, 8, нап, I20. *ТIэрхъан "Мысыр, шэрджэс пащтыхьхэм я лъэхъэнэм" Каир I960, нап II2. *Абы лъандэрэ а щIыпIэм "Маржэ дэIэпыкъу" щIыпIэцIэр къищтащ; хьэрыпхэм ар къызэрапсэлъар "Мэрдж дабекъ" зэратхри апхуэдэущ. ЩIыпIэр, Сирие къэралыгъуэм хыхьэ Хьзаз къалэ и Iэшэлъашэм зыщеубгъу. Ар Хьэлэб къалэ пэжыжьэкъым. *Бын Ияс том3,нап 7. *Сэлим Рызкъ, "пащтыхь сулътIанхэм я тепщэгъуэр" Каир I963, том I, нап, I34. *Адыгэ IуэрыIуатэхэр" Налшык, I969, том 2, нап 209. Думэнбей I5I6-I5I7 Думэнбей Шэрджэс пащтыхьхэм я иужьрейщ. Хьэрыпхэм абы и цIэр «ТIуманбаи»-у ятх. Къанщауэ Гъур «Маржэ дэIэпыкъу» деж щекIуэкIа зауэм хэкIуэдауэ къызэращIэу, Думэнбей пащтыхьу трагъэуващ. Ар, езыр Къанщауэ Гъур и къуэшым и къуэщ. Кавказым къизыша сатуущIым и деж къыщищэхуащ Къэтбей, щхьэщэхупщIэ щIитри, хуит къищIыжащ. АдэкIэ къулыкъукIэ драгъэкIэтейуэрэ, Гъурым и пащтыхьыгъуэм увыпIэшхуэ щызыIэригъэхьащ, итIанэ пащтыхь къуэдзэ хъуащ, пащтыхьыр ежьэмэ, езыр абы и пIэкIэ къигъанэу. А увыпIэр иIыгъащ Думэным, Гъурыр СылътIан Сэлим и дзэм пэщIэувэну щежьам щыгъуэ. Гъурыр къэтыхункIэ, Думэным къэралыр зыхуей хуигъэзащ, цIыхубэр хъунщIакIуэхэм щихъумащ. Гъурыр зауэм къыщаукIауэ къызэращIу, псори зэдарэзыуэ Думэнбей пащтыхь тахътэм трагъэтIысхьащ.*I Думэнбей пащтыхьыр псом япэу зыпэщIэувар уэсмэнхэм ядзэ къэкIуатэр къэгъэувыIэнырщ. Абы пэщIэувэну зигъэхьэзыррэ пэт, сулътIан Сэлим I къыбгъэдэкI мы тхылъыр къыIэрыхьащ: « СулътIан Сэлим Хъан, щIыми хыми я сулътIан, сулътIан Баизед Хъан и къуэм и деж къикIыу, Шэрджэс Думэнбей деж кIуэ тхылъ. Тхьэм фIыщIэ худощI. АдэкIэ Тхьэм уэхьий къысхуищIащ къухьэпIэмрэ къуэкIыпIэмрэ дэт щIым сыщытепщэн хуейуэ, БжьакъуитI зытет Александр зэриубыдауэ щытам хуэдэу. Ди лIыгъэ лъэщым лъэкIащ Исмахьил Шах дгъэкIуэдуну, Зызыгъэпагэ Къанщауэ Гъур джаурым, хьэжы щIыныр къытпэзыубыду щытам, хуэфащэр етщIэну. Уэ угъунэгъу бийщ, Тхьэу лъапIэр къыддIэIэпыкъунщ, уэри пхуэфащэр уэтщIэнымкIэ. Ди гущIэгъу ухуеймэ- мэжджытхэм ди цIэр щыгъэIу, ахъшэр ди цIэкIэ тедзэ, Мысырым гъэзэжи, абы щыIэ уи Шэрджэсхэр зэтеукIэ, фи цIыхубз уэндэгъухэм я ныбэр къивгъэу. КъакIуи, ди бжаблэм къытеуви, Тхьэ къытхуэIуэ, ди жыIэм утетыну. Апхуэмыдэмэ….*2 Думэнбей тхылъым къызэреджэу губжьри, сулътIан Сэлим пэувыну мурад ищIащ, и пащтыхьыгъуэри и мылъкури ихъумэну триубыдащ*3. И дзэр иришажьэри, «Ридание»-м и деж щIытI къыщIитIри зигъэбыдащ. А щIытIым дзэри дзэпщри махуи-жэщи къыдэмыкIыу дэтын хуейуэ унафэ ищIарэ пэт, дзэпщхэр махуэм зыкъагъэлъагъуэрти, жэщкIэ я унэ кIуэжырт. Апхуэдэ жыIэмыдаIуэхэм гугъ иригъэхьырт пащтыхь Думэнбей. Уэсмэныдзэм щIытIымкIэ къэмыкIуэу щыдадзыхым, дзэм унафэ хуищIащ, щIытIым къыдэкIыу, Уэсмэныдзэм зыдиунэтIа лъэныуъуэмкIэ щыIэ «шы унэхэр*4»-ерызкъы, псэущхьэ хъумапIэхэр ягъэсыну, ахэр бийм къимыгъэсэбэпын щхьэкIэ. И зауэлIхэми унафэ яхуищIащ, я зауэ фащэр щамыхыну, шыбгми къемыпсыхыну. I5I7 гъэм, щIышылэм (январым) и 23-м, уэсмэныдзэр КаиркIэ иунэтIауэ щалъагъум, якIэлъыкIуэри, а щIыпIэм зауэшхуэ щекIуэкIащ, езы Думэнбей дзэпщым кIэлъыжащ, зридзри, и IэмкIэ итхьэлащ. Итхьэлэр СулътIан Сэлиму игугъа щхьэкIэ, Уэсмэныдзэм я дзэпщ Синан-у къыщIэкIащ.*5 «Ридание» деж щекIуэкIа зауэм Думэнбей и дзэр хагъэщIащ, и зауэлIхэри щызэбгрыжыжым, нып иIыгъыр зэкIуэцIишыхьыжри, езыри щтапIэ ихьэжащ. «Ридание» зауэми зэран щыхъуар Хъэр Бэчрэ Жан бердрэщ- а тIур СулътIан Сэлим и тIасхъэщIэхыу щытащ икIи бзэгу хуахьащ Думэнбей и дзэр здэщыт щIыпIэми, зэрызигъэбыда щIыкIэми теухуауэ. Думэнбей зи унафэщI шэрджэсыдзэр уэсмэнхэм я дзэм дэнэ щIыпIэ щыпэмыувами, уэсмэнхэм я дзэ топхэмкIэ узэдам пэлъэщакъым. Абы щыгъуэм Думэнбей Каир игъэзэжри, абы зыщигъэбыдащ, Iэщэ зыIыгъыф псори къыдэкIащ бийр къыдамыгъэхьэну. АрщхьэкIэ уэсмэнхэм я дзэр уэрамхэм дэлъэдащ, къапэщIэувэр яукIыу. Щихъ и цIэкIэ щыIэ мэжджытым и азэн джапIэм шэрджэсхэр къеухырти, мэжджытым мафIэ щIадзэри ягъэсащ. СулътIан Сэлим гъуо игъаджэри, Каир дэс шэрджэсхэр Гъурым и цIэкIэ щыIэ еджапIэм щызэхуашэсри, адэкIэ лъэхъуэщым ирадзахэщ. ЛъэныкъуитIми хэщIныгъэ яIащ: уэсмэнхэм я дзэпщ Синан пэщэр яукIащ, къалэм дыхьа уэсмэныдзэм къыIэрыхьэр къищтащ, унэхэм мафIэ щIадзэри, ягъэсащ, Думэнбей къалэр ибгынащ. Абы япэм лъэхъуэщым къригъэкIыжауэ щыта Мырхьий и дзыхь иригъэзри, абы екIуэлIащ. АрщхьэкIэ Мырхьий къепцIыжахэщ Думэнбей- и анэр зэрелъэIум щхьэкIи къимыгъанэу къэзыхъумэну къыщыгугъар СулътIан Сэлим Iэпхлъэпхыу IэщIилъхьащ. Думэнбейр Сэлим и пащхьэ щрашам, хьэрып джанэ теубгъуат, и щхьэм IэлъэщI пIащIэ телът. Ар щыщIыхьэм Сэлим тэджащ, и фIэщ мыхъууи Думэныр зэпиплъыхьащ. Сэлим Къегиящ: « Iэухур мыбы нэсын хуеякъым, си унафэр къабыл пщIатэмэ, щIыналъэм си унафэр щыбгъэзащIэу укъэнат». Думэнбей пэIуэжащ: « Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжхэр зыгуэрым и унафэкIэ зекIуэркъым. Уэ бдэну сэ унафэ пхуэсщIу? Дыгъужьым едаIуэ аслъэн плъэгъуа? ЗауэкIэ фыкъытпэлъэщакъым,- и Iэр ишийри,- мо тIум я гъэпцIагъэкIэ фыкъыттекIуащ». И Iэр зыхуишиятэр, адэкIэ щыт Хъуер Бэчрэ Жан Бердрэщ. Сэлим къыбгъурысхэм я хуеплъэкIри жиIащ « Мыпхуэдэ лIыр яукIыркъым». ГъэпцIакIуитIыр аргуэру утыкум къилъадэри, Сэлим гурагъэIуащ, Думэнбей псэууэ езым псэхугъэ зэримыIэнур. I5I7 гъэм Мэлыжьыхьым- Апрел мазэм и II-м, I5I7 гъэм, Думэнбей зыщIадза «Iэмбабэ-мыбы Iэбэ» лъэхъуэщым къыщIашри, хъумакIуэ 400-м къаувыхьауэ щхьэпылъэм яшащ. Ибн Ийяс етхыж а къэхъугъэр: «Думэнбей здашэр къыжраIами, дзыхакъым, зиIыгъащ. И шым задэу тест, гъуэгубгъуитIым тет цIыхубэм сэлам ярихыурэ яблэкIырт. ЩхьэпылъапIэм щынэсым и шым къепсыхщ, лъагапIэм теувэри, цIыхубэм яжриIащ КъурIэным щыщ «Iэлфатихьэ-пэублэ» сурэм щэрэ къеджэну. ЗэрыжиIам хуэдэуи, цIыхубэм я Iэхэр Iэтауэ макъ лъагэкIэ «Iэлфатихьэ» къеджащ. Къыбгъэдэт IуэхутхьэбзащIэм хуеплъэкIри, «Уи Iуэхур гъэзащIэ» жриIащ, адрейм кIапсэр Думэным и пщэм фIидзэри, и хьэдэр къыфIамыхыжу «зуелэ» куэбжэм махуэ заулкIэ фIэлъащ. *6 Пащтыхь Думэнбей деж щиухащ шэрджэсхэм я етIуанэ пащтыхьыгъуэр. I36-рэкIэ Мысырми Щам щIыналъэхэми щытепща адыгэ пащтыхьхэм мыадыгэу яхэтар щы къудейщ, къэна 22-р адыгэ лъэпкъым щыщт. Арати, Шэрджэсхэм я империем кIэ игъуэтащ. Уэсмэнхэм я империем зиубгъуащ; шэрджэсхэм яIыгъа щIыналъэр яIэщIэкIри, уэсмэнхэм я бжым щIэуващ. Мысыр уэсмэн империем и зы вилаяту къыщIидзыжащ, Хъер Бэч гъэпцIакIуэм и унафэр абы щыпхрыкIыу. Шэрджэс империер щIэкIуэдыжам щхьэусыгъуэ куэд иIэщ, нэхъыщхьэр, гъащIэм и хабзэрщ- жьымрэ щIэмрэ я зэхуаку къыдэхъуэ зэныкъуэкъурщ: сытым щыгъуи, жьыр токI, щIэр къытохьэ. Уэсмэнхэм щIэуэ къахута гын-топыр къагъэсэбэпыну хунэсащ, шэрджэсхэр къыкIэрыхуащ-гыныр гъущIым текIуащ. Шэрджэс Куртбей жыхуаIэ пщыр, зауэм гъэру къаубыдар сулътIан Сэлим и пащхьэ ирашат. Абы и гупсысэ, и лIыгъэ къищIэну Сэлим еупщIат: - Уэра Куртбейр? - Сэращ. - Дэнэ щыIэ уи шыгъэ-лIыгъэр? - Зэрыщытщ. - Ди зауэлIхэм сыт епщIар? - СукIыфыр сукIащ. Дэ лIэныгъэм щымышынэ дызауэлIщ, уи фIэщ мыхъумэ, фи гыныр-цIыхубз Iэщэр-лъэныкъуэ евгъэзи, фыкъытпэув…*7 …Уэсмэнхэм къаIэщIыхьа щIыналъэр зэрапхъуащ, зэтракъутащ, фIыгъуэу илъ псори консстантинопл ягъэIэпхъуащ; IэщIагъэ зиIэхэр здашащ, хъугъэфIыгъуэу илъыр яхьащ. Тхылъ куэд ягъэIэпхъуащ, уеблэмэ, чэщанэхэм хэлъ мывэ гъэщIэрэщIахэр-мрамэрхэр блынхэм къыхахри, махъшэкIэ яхьащ. Кулътурэ- щэнхабзэр зэтекъутэнымкIэ Сэлим Езанэм ищIар, илъэсищэ ипэкIэ псэуа Темыр щIакъуэ ищIам зыкIи къыкIэрыхуркъым. ………………………….. I*Мыхьмуд Рызкъ Сэлим, Каир I962, том I, нап 62,63,64. 2* Нэхъ щыгъуазэ зыхуэзыщIынур иреджэ «СулътIан Гъурей и хасэхэр» жыхуиIэ тхылъым, Абдулуэхьаб Аззам Бэч итхауэ. ТIэрхъан, Каир I960, нап I86, I87. Бын Ияс "БэдаIихь Iэззухьур" том 3, нап 80, 8I. 3* Нэхъ щыгъуазэ зыхуэзыщIынур иреджэ «Мысыр, шэрджэсхэр» жыхуиIэ тхылъым, Расим Рушдий итхауэ, Каир, I948 гъэ, нап I04. 4*. Мысырым и хьэрыпыбзэ диялектым къыхэнащ "шунэ" псалъэр, а зэрыстхам хуэдэу къапсэлъу. 5* «..И Iэ сэмэгумкIэ епхъуэри, шыбгым къридзыхащ « Сэлим! псэууэ усIэщIэкIынукъым» жиIэурэ. ЩIым традза Синан, пщы Алан щхьэщылъадэри, Синан и щхьэр пиупщIащ» Апхуэдэу къиIутэжащ Бын Зэнбэл и тхылъымкIэ, нап 32. 6*. ТIэрхъан, Каир I960, нап I94,I95,I96,I97,I68. Бын Зэнбэл, нап 67, 69, I04, I06, III. 7*. ТIэрхъан, нап 20I, 206, ********************************************** Инал IуэрыIуатэм, тхыдэм къызэрыхэщыжыр - IуэрыIуатэм зи гугъу ищI Иналыр Мысырым къикIыжар пэж? А упщIэм и жэуапыр къэдгъуэтын щхьэкIэ Мысырым щекIуэкIа "Адыгэ пащтыхьыгъуэм" хэт Иналхэр къыдохутэ. Ахэр къэтхутэурэ, и хэку къигъэзэжауэ зы Инал яхэдгъуатэмэ, ар лъагъуэ мэхъур, Къэбэрдеипщ Иналыр Мысырым къызэрикIыжар къыдигъащIэу. Мысырым щыIа "Адыгэ пащтыхьыгъуэр" IуэрыIуатэкъым, атIэ тхыдэщ. Тхыдэтххэм ятхыжащ а зэманым и къэхъукъащIэ псори – инри цIыкIури, мыхьэнэ зиIэри зимыIэри. Абыхэм я лэжьыгъэр махуэ къэс къыдэкI газетым и корреспондентхэм ещхьт. А махуэм къэралыгъуэм къыщыхъуар зэпкърыхауэ къагъэлъэгъуэжырт. Тхыдэтххэр икъукIэ набдзэгубдзаплъэт, куэдым гу лъатэрт. Абыхэм яхэтащ, езы адыгэ пащтыхьхэм я лъэпкъэгъухэри, Ибн Ийяс тхыдэтх цIэрыIуэм хуэдэхэр. Уэсмэнхэр къыщытехьэм, абы хуэмыарызыуэ, "Адыгэр адыгэм и телъхьэщ"*, - хужаIауэ щытащ. Абыхэм яхэтащ хьэрыпи, "ДищIри, ди бзэри, ди динри тхуэзыхъумэ адыгэр Тхьэшхуэм къытхуигъэкIуауэ къыщIэкIынущ" - жызыIаи. Инал Нэху Мысырым къикIауэ къыхощ IуэрыIуатэм. Инал зи цIэ лIыщхьэ "Мысырым икIыжри и хэку игъэзэжащ" жиIэу тхыдэм сыщрихьэлIэну пIэрэ жысIэу сыщылъыхъуэм, Мысырым щыIа Иналхэм ящыщу зы къэзгъуэтащ. Ар Инал Ал-Хьэким (Инал Iэзэ) жыхуаIэращ. ЩIэджыкIакIуэм игу къэдгъэкIыжын щхьэкIэ, Iуэхур къызэрекIуэкIар IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ доублэри, итIанэ тхыдэм къызэрыщыгъэлъэгъуар къыпыдощэ. ……………………………………. *Мыхьмуд Рызкъ Сэлим, Мэмлюк сулътIанхэм я лъэхъэнэр», Каир, I956, том 4, нап 203. Инал IуэрыIуатэм (Зэрытлъагъущи, IуэрыIуатэм адыгэхэм я лъабжьэр къыщилъыхъуэжкIэ щIыпIэ жыжьэхэм мэIэбэ. А лъагъуэ дыдэм ирокIуэ Нэгумэ Шори. Абы и лъэпкъым и къежьапIэр Араб-хъан деж къыщыщIедзэри Кес къыблехури, Хъурыфэлъей деж къос, Инал деж щегъэтIылъыж. Инал и бынхэм (языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ: Темрыкъу, Беслъэн, Занокъуэ, Къэпарт, адрейхэм: Жанхъуэт, Мынболэт, Беслъэн, Унармэс, Къырмыш, ещанэхэм: Тобылрэ Беслъэнрэ) ятригуэшэжащ адыгэ лIакъуэхэр. Мы тхылъым ит хъыбархэри, зэрызэщхьэщыкI щIагъуэ щымыIэу, зытет лъагъуэр ар дыдэрщ. Инал деж къыщыщIэдзауэ адыгэ IуэрыIуатэр тхыдэм тоувэ. Ар щылIэжар I458 гъэращ. Ауэ абы ипэ къихуа къомым зыкъомкIэ таурыхъыфэ къатоуэ, псалъэм папщIэ, Абдан-хъан кхъухьым ису и фызыр лъхуэуэ Кес къызэрилъхуар, нэгъуэщIхэри).* (ГъэщIэгъуэныращ, езы къэбэрдей пщыжь-уэркъыжьхэм ар я фIэщ дыдэ хъужауэ дауэхэу щытащ «аравие лIакъуэлIэшхэм» къахэкIауэ. Пащтыхьым хуатхауэ щытащ къэбэрдей лIакъуэлIэшхэм, генерал Дибэч IэщIалъхьэу, I825 гъэм: «Къэбэрдей пщыжьхэмрэ народымрэ Египет къикIащ»- жаIэу.)* (Бахъсэн къыщыдэкIыу щыта (I9I7-I9I8 гъ.) «Адыгэ макъ» газетми ар иукъуэдияуэ щытащ).* (Абы къыхэкIкIэ IуэрыIуатэм лъэпкъ лъапсэр къыхуэгъуэтыжыркъым тэмэму: Ар къыщыхуэмыгъуэтыжым деж, зэм щыгъуэ Iуэхур тыншу зэфIегъэкI мифологием хоIэбэри.)*6 ……….. * "Адыгэ IуэрыIуатэхэр", том 2, нап 5. *** "Адыгэ IуэрыIуатэхэр, том 2, нап 6. (Иналыр щIалэ цIыкIухэм яхэту арэхъ джэгурэ пэт и нэм къытехуэри кърихуащ. Аращ Инал нэфу Хъурыфэлъейм и къуэ жыхуаIэу щытар.)*67 (Абы хуэдэу къалмыкъыпщымрэ Тамбий Къэбардрэ зэкIэлъыкIуэу, зэныбжьэгъуу екIуэкIыурэ, зэгуэрым Къэбардэ IуэхукIэ Мысост и къуэ нэфым и деж пщэдджыжьым жьыуэ щIыхьащ.) "Адыгэ IуэрыIуатэхэр" нап 59. (Нэхъыбэм зэрыжаIэр Инал нэфщ.) нап.58. ( Инал пщыуэ яхэсу, КъэбардэкIэ зэджэр лъэс закъуэу, Инал къекIуэлIащ. Иналыр егъэзыпIэ хуэхъури, ешхэ-ефэу абы деж щыпсэуащ. Пщэдджыжь гуэрым Къэбардэ хьэщIэщым къыщIэкIри, Инал и деж щIыхьащ, зэлIзэфызыр къэмытэджауэ зы пIэм хэлъу. Къэбардэ укIытауэ щикIуэтыжым, «УмыукIытэ, Къэбардэ. ЩхьитIу дыкъыхощ, нищу дыкъыхоплъ, лъакъуиплIу дыхэлъщ», - жиIащ Инал и фызым. Къэтэджри захуэпащ. Пщэдджыжьым пIастэ гъэжьа, шыбжий-шыгъу я дэшхыну фIыуэ зэрегъэфащ Иналрэ Къэбардэрэ.) "Адыгэ IуэрыIуатэхэр" нап 43. (....Зэгуэрым Къэбардэр IуэхукIэ Мысост и къуэ нэфым и деж пщэдджыжьым жьыуэ щIыхьащ. Бжэр Iуихри, къэмытэджахэу хэлъти, къыщигъэзэжым, Мысост и къуэм: «КъыщIыхьэ, къыщIыхьэ, Къэбардэ!» - жиIащ. ЗдыщIыхьам зэлIзэфызыр зы пIэм хэлът, абдеж Мысост и къуэм и щхьэгъусэр къэпсалъэри жиIащ: - ЛIэу, Тамбий Къэбардэ, щхьитIрэ нищым уигъэшынауэ арат щIэбгъэзэжар? А псалъэр Мысост и къуэ нэфым щызэхихым, икъукIэ щхьэжэ щыхъуащ, ауэ асыхьэтым зыри жиIакъым. ИужькIэ пщы Мысост и къуэм къуэ Къэбардэр иригъашэри, жриIащ: - Си фызыр нобэ щыщIэдзауэ узот, Тамбий и къуэ, пхуэщ ухъу! -Ар дауэ жыпIэрэ, емыкIущ, - къыпидзыжащ Къэбардэ. Мысост и къуэм зигъэхьэзырщ, «ЩIым сокIыж», -жиIэри ежьэжащ. Нобэми къигъэзэжакъым….) ………………………………………………… «Адыгэ IуэрыIуатэхэр» Налшык. I969, нап 59. Мыри япэ ит хъыбарым ещхьщ, къызэрыщхьэщыкIыр «ЩIым сокIыж» жыхуиIэрщ. Абы теухуауэ «ИкIыжу дэнэ зыдэкIуар?» - жытIэу упщIэ дгъэувмэ, зы лъагъуэ гуэр дытехьэфыну пIэрэ?... Инал Абазэпщуэ Иналыкъуэжьым Адыгэри зыIэрагъэхьэр. Жылэгъуэуи къыIэрыхьахэм Къэрал хабзэхэр абы щеухуэр. ЛIы хэхакIэ хасэр еухуэри ПщышхуэкIэрэ захырегъэхыр. Иналыкъуэр хэтхынкъым жызыIэм Хэхэсыпщыр дагъуэ къыхуещIыр. Ар зымыдэу къежьа гупми Иналыкъуэм зауэ иращIэкIыр. Иналыкъуэу лIышхуэ лIы есым Пщышхуэ есщи закъыхущIесэр. Сагъындакъым ар къыщеIэжкIэ Нартыжь хабзэкIэ ар къызэхуешэр. Шапэм пылъу ирихьэхар Гуп зешэу хэта пщышхуэрщ. Абхъазыпщуэ Иналыкъуэми Пщы япщыжыуи зыкъегъэнахуэр. *32 ………………………………….. * «Адыгэ IуэрыIуатэхэр» том 2, нап 5,6, 32, 34, 58, 59, 67. ИщхьэкIэ къыщытхьа тхыгъэ хэхахэр щыхьэт тохъуэ, IуэрыIуатэм Инал цIэр зэрищIэжыр. Ар къыщыгъэлъэгъуащ ар абазэу, Къэбэрдейм къэкIуауэ икIи абы щылIэжауэ, дунейм щехыжа илъэсри I458 гъэрауэ. I825 гъэм къэбрдеипщхэм урыс пащтыхьым хуатхам ипкъ иткIэ къонаIуэ, а зэманым, къэбэрдейр къыздикIауэ и фIэщ хъур: Мысыр щIыналъэрщ. I9I7 гъэм къыдэкIыу щыта "Адыгэ макъ" газетми, аращ жиIар. Хъыбарыр IуэрыIуатэм зэтемыхуэу къиIуэтэжми, ар нэ закъуэ нэфу зэрыщытар къыжеIэ. Нэгумэ Шорэ, Инал и адэшхухэр Вавилюн къиIэпхъукIыу Мысыр зэрыкIуахэр, абы къиIэпхъукIыу Кавказым къихьэжауэ жеIэ.* ……………………………………………….. *Мэт Изэт «Адыгэм я тхыдэ» Истамбыл I9I2 гъэ, нап 77. Инал теухуа къебжэкIым къегъэлъагъуэ, ар абазэпщу, адыгэр зыIэригъэхьэу, къэрал хабзэхэр хасэкIэ зэриухуар. Абы дагъуэу хуащIтэр, "хэхэсыпщ"-у зэрыщытращ. IуэрыIуатэм Инал и Iущагъыу къелъытэ, къэралыр лIы–хэхакIуэ хасэу зэриухуар, нобэрей бзэмкIэ жыпIэнумэ "демократиер" и лъабжьэу къэрал зэриухуар. Къыпэува гупым, Инал зауэкIэ япэувыжащ - "закъыхуещIэсэр икIи ятокIуэри пщы япщыжыуи зыкъегъэнахуэр". Инал теухуауэ IуэрыIуатэм жиIэр аращ. IуэрыIуатэм инал щхьэкIэ "нэф" псалъэр жиIэми, апхуэдэу ятхми, къэбэрдей къызэрыгуэкIым «Инал» цIэм пигъэувэр "нэху", "Ин" псалъэхэрщ. Абы и щхьэусыгъуэу къигъэувыр: "нэху" псалъэр адыгей диалекткIэ къызэрапсэлъыр "нэф"-щ, IуэрыIуатэм зэрихъумар адыгей диялектращ, жеIэр. Ауэ "щхьитIу дыкъыхощ, нищу дыкъыхоплъ, лъакъуиплIу дыхэлъщ" щыжиIэкIэ, Иналыр нэфущ къызэригъэлъагъуэр. ИтIани, къэбэрдейм Инал и цIэм "нэху" псалъэр зэрыпигъэувэм увыпIэ щеубыд, пэжым и утыкум. А лIы щэджащэм дзы зыпылъ псалъэр хуигъэфащэркъым. Пэжыр ауан пщIыми, дзы фIэпщми, пэжыр зэрыщыту къонэж. Пэжым узэреплъщ, ар емыкIу зыпылъу плъэгъуамэ, ар зылъагъум и ягъэжщ, илъэгъуар емыкIу ищIынуми, имыщIынуми. Инал «Нэху» къэбэрдейм пщы уэлийуэ тетащ I427 гъэ пщIондэ. Ар дунейм ехыжа иужькIи цIыхубэм «Инал и махуэхэм къагъэзэжарэт» жаIащ. Абы и цIэми «Нэху», «Ин» цIэлей дахэхэр пагъэувэрт.* ……………………………………………. * Нэгумэ Шорэ, «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр», Хьэвжьокъуэ Шэукэт (хьэрыпыбзэкIэ) Амман I953 гъэ, Инал - тхыдэм I. Инал, Пащтыхьыр (I453-I460) И цIэр зэратхыу щытар (IэлIэшрэф Сефуддин Iэбуннэсыр Инал IэлхьэлаIий-щIыхьышхуэ зиIэ, диным и сэшхуэ, текIуэныгъэм и адэ, IэлаIхэ Инал). Инал пащтыхь Бэрыкъуэ и лъэхъэнэм къэхъуащ, и блыгущIэтуи щытащ. Бэрыкъуэ и къуэ Фэрэдж и лъэхъэнэм бэрэбанауэхэм я унафэщIу щытащ (апхуэдэ IэнатIэ щыIащ), итIанэ, пащтыхьыгъуэм къыщыхъухэр зытххэм я унафэщI, кхъухьыдзэм и дзэпщ къалэнхэр игъэзэщIащ; Бэрысбей и пащтыхьыгъуэм зауэлIи I00-м и тету щытащ, абыхэм я бжыгъэр миным нигъэсри дзэпщ хъуащ. Пащтыхь Инал лIы кIыхьт, жьакIэ мащIэт, залымтэкъым, щыуагъэ зэримыщIэным хущIэкъурт, пщыхэм, щIэныгъэлIхэм зэпымыууэ етэрт*I. Пащтыхь тахътэм зэрытетIысхьэу, хъэлифатыр текIыну унафэ къыщыдигъэкIым, "техьэн-текIыным и унафэр зыщIыр хъэлифатращ" -жиIэу щыпэпсэлъэжым, Александрей лъэхъуэщым иригъашэри, лIэжыхункIэ абы исащ, и къуэшыр езым и пIэкIэ хъэлифату игъэуващ. Пащтыхь Инал и лъэхъэнэм франджыхэм Кипр хытIыгур зыIэщIаубыдэжыну яужь ихьахэти, и кхъухьыдзэр щIэрыщIэу иузэдыжри, я гуращэр зэпиудащ. Абы иужькIэ, ахэр пащтыхь Инал и IупэфIэгъу хъуахэщ: I458 гъэм Кипр и пащтыхь гуащэ Шарлоттэрэ и дэлъху Джимс ЕтIуанэмрэ щызэщыхьэм, я зэгъэкIужакIуэу щытар пащтыхь Иналщ. Абы щхьэкIи, зэдэлху-зэшыпхъум пащтыхь Инал тыгъэ лъапIэхэр хуащIауэ щытащ*2. Пащтыхь Инал и щIыналъэм и ищхъэрэкIэ зызыукъуэдий пщыгъуэхэм я унафэщI пщыхэм, къэралым зыпагъэщхьэхукIыну зыкъаIэтати, и дзэр яхуигъакIуэри, я пIэ иригъэзэгъэжахэщ, Къэисэрей къали дыхьэри зэтрикъутащ. Пащтыхь Инал и тетыгъуэм сату Iуэхур зэIыхьащ, ахъшэ нэпцIхэр дунейм къытехьати. I455 гъэм, абы ебэнурэ цIыху гъэпцIакIуэ куэдыр сэшхуэкIэ тIууэ зэпаупщIащ (апхуэдэ тезыр щIэкIэ щыIащ а зэманым). Ауэ, абы щхьэкIэ Iуэхур нэхъыфI хъуакъым, бэзэрхэм щызекIуэрт ахъшэ нэпцIхэр. ………………………………. ** Мыхьмуд Рызкъ Сэлим "СулътIан мэмлюкхэм я лъэхъэнэр" том I, япэ Iыхьэ, нап 50,5I,52. Пащтыхь Инал мэжджыт, еджапIэ куэд иригъэухуащ, абыхэм я нэхъ дахэр пшахъуэщIым щиухуарщ. А мэжджыт-еджапIэхэм сабийхэр щрагъаджэрт, гъуэгурыкIуэми зыщигъэпсэхурт. ЕджапIэм и дыхьэпIэм тещIыхьат езы Инал и пащтыхь дамыгъэр: хъумпIырэ, шакъалъэ-тхэпсылъэ, кумбыгъэ, гынылъэ, бжьэкъуитI.*3 Пащтыхь Инал махуэку махуэу дунейм ехыжащ, I460 гъэм, пащтыхьыгъуэм илъэси 8-рэ, мазитIрэ, махуэ I6-рэ тетауэ. Ар дунейм зэрехыжу, пщыхэр зэгурыIуауэ, езым и къуэ Ахьмэд, илъэс 37-рэ зи ныбжьым, пащтыхьыгъуэр лъагъэсащ. Пащтыхь Ахьмэд пщыхэр зэрызэгуримыгъэIуэфыр щхьэусыгъуэ хуащIри, унафэ къызэдащтэри, пащтыхьыгъуэр трахащ, нэщI мазэм и I8-м, мазиплI фIэкIа темытауэ. Пщыхэм я мурадащ, Щам и унафэщI Жаным пащтыхьу трагъэувэну, ар къэсыху, пIалъэкIэ, Хъушкъэдэм дзэпщым IэщIалъхьащ пащтыхьыгъуэр, (Хъушкъэдэм адыгэтэкъым, лъэпкъкIэ Урымт) ауэ, Хъушкъэдэм яхутекIыжакъым пащтыхь тахътэм, и тепщэныгъэр игъэбыдащ: япэ ита пащтыхь Инал и къуэ Ахьмэд, и къуэшри, я анэри ядыщIыгъужу хьэпсым иридзахэщ, пщыхэм я зэхуакуи дыхьэри, фIыкIэ зэгуригъэIуахэщ, дзэпщхэри и лъэныкъуэ къищIащ, пащтыхь тахътэр зыхуагъэпсауэ щыта пщы Жаным иригъэукIащ. Апхуэдэур, абы и пащтыхьыгъуэр игъэбыдащ. Хъушкъэдэм Жанымыр иукIауэ адыгэпщхэм къызэращIэу, къагурыIуащ, хамэм пащтыхьыгъуэр зэIэщIилъхьэну зэрыхущIэкъур. Хъушкъэдэми полтик Iущти, адыгэпщхэр зэщигъэхьэжри, езым утыкур къыхуэнащ. Арати, Хъушкъэдэм пащтыхьу тетащ илъэсихрэ ныкъуэрэ хуэдиз. Тхыдэтххэм "Адыгэ пащтыхьхэм" и гугъу щащIкIэ Хъушкъэдэм абыхэм хабжэркъым. Хъушкъэдэм дунейм зэрехыжу Бэлэбей трагъэтIысхьащ пащтыхь тахътэм, ауэ ар цIыху щIыкIейт, мыхьэнэншэт, и Iэ къикI щыIэтэкъым, зыгуэркIэ еупщIамэ, «Хъербэч феупщI» фIэкIакIэ япэIуэжыртэкъым, (Хъербэч, Хъушкъэдэм гупым я лIыщхьэт, арат къэрал унафэр зыIэщIэлъыр). Абы къыхэкIыуи, цIыхубэм Бэлэбей ауан ящIу «пащтыхь - мобы феупщI» фIащат.*4 Пщыхэм Бэлэбей махуэ 66-рэ фIэкIа яхуэшэчкъым, трагъэкIри, абы и пIэкIэ Темырыбгъэ трагъэтIысхьащ тахътэм. Ари, трагъэкIам зыкIэ къыкIэрыхуртэкъыми, мазитI фIэкIа темытауэ, тахътэм традзри, абы и пIэкIэ пщы Къэтбей пащтыхь ящIащ. ………………………………………………. I*Джэрыджэ Зидан, (иджырей Мысырым и тхыдэр), том 2. Бацэжь, том 4, Iыхьэ I, нап 29I. 2*ТIэрхъан, напэ 36. «ТIэрхъан» унэцIэр, Адыгэ пащтыхьхэм я къэрал зэхэтыкIэмкIэ, «къулыкъущIэ мылажьэу ягъэтIысыжа» жиIэу къокI. Ар «пенсэ» лIэужьыгъуэт, хабзэм ебэкъуа къулыкъущIэр, тезыр хуэдэу, мылэжьэжыну ягъэтIысыжрт. Абы хуэдэм «пенсэ» пыухыкIаи палъхьэт. Нэхъ зэхэхауэ зыщIэну зыхуейр, ТIэрхъаным и (мысыр, адыгэ пащтыхьхэм я лъэхъэнэм» напэ I44-245-хэм иреплъ. 3*Сэхьид Хьашур, напэ I03-I2I 4* Маил, «дамыгъэхэр» 2. Бэджийхэ Инал Сырыху (879 хидж) Инал сырыху дунейм ехыжащ 879-I43I гъэм. Ар пщы хахуэт, нэгъуэщIми и щхьи хуэткIийт. Егъэлеяуэ цIыхум етэрт. Ар пащтыхь Чыкъмыкъ и блыгущIэту щытащ. И гъащIэм къриубыдэу IэнатIэ куэдым Iутащ: Каир, Хьэлэб къалэхэм я унафэщIу – меру, дзэм и Iэщэ хъумакIуэу, нэгъуэщI къулыкъухэри зрихьащ. Фэ уз бзаджэ къеуалIэри, абы илIыкIащ, пащтыхь Къэтбей и тетыгъуэу.* ………………………………………………… * Ибн Ийяс, том 3, нап I55. Мыхьмуд Рызкъ Сэлим «Мэмлюк сулътIанхэм я лъэхъэнэр» Каир I956, том I, япэ Iыхьэ, нап 202, 203. 3. Инал Ал-Хьикмий Щам щIыналъэм щыIащ пащтыхь Чыкъмыкъ и унафэхэр абы щигъэзащIэу, пащтыхьым емыдаIуэжу, зыгуигъэщхьэкIын гуращэр иIэу къыщащIэм, и къулыкъум трагъэкIри, абы и пIэкIэI394 гъэм пщы Темразхэ Акъыбгъэ ягъэкIуащ.* ………………………………… *Мыхьмуд Рызкъ Сэлим , том I, япэ Iыхьэ, нап II4. 4.Къэджмэс и къуэ Иналбей I300 гъэм, пащтыхь Бэрыкъуэ и къуэ Фэрэдж и дзэр иришажьэу Темыр ЩIакъуэ и дзэм пэувыну щыкIуэм, и дзэр зезышэ унафэщIхэм язт Къэджмэс и къуэ Иналбей.* ………………………………………….. * Мыхьмуд Рызкъ Сэлим "СулътIан мэмлюкхэм я лъэхъэнэр" Каир, I962 гъэ, етIуанэ къыдэкIыгъуэ, том I, нап I94. 5.Исуфхэ Инал (794 хидж) Бэрыкъуэ иджыри дзэпщу, сулътIани мыхъуауэ, Исуфхэ Инал абы и ныкъуэкъуэгъуу щытащ. Ауэ Бэрыкъуэ абы текIуэри, сулътIан хъуащ, Исуфхэ Инал а зэрыныкъуэкъуэгъууэ къэнэжащ. Бэрыкъуэр пащтыхь тахътэм зэрытетIысхьэу, Исуфхэ Инал дзэм и Iэтащхьэ ищIащ. Исуфхэ Инал а увыпIэ лъагэм нэмыс щIыкIэ IэнатIэ щхьэпэ куэдым пэрытащ: Бэрыкъуэм и япэ пащтыхьыгъуэм, I343 гъэм, Щам щIыналъэр къэзыхъумэ, пащтыхь къуэдзэу, пащтыхьым и унафэхэр абы щигъэзащIэу щыIащ. Абы щыIэурэ, пщы Елыбгъэ зэщIигъэста гупыр къытекIуэщ, и IэнатIэри къыIэщIатхъри, езыхэм я IупэфIэгъу пщы Чэмшыбгъэ-Кэмшыбгъэ IэщIалъхьащ, Иналыр Сэфэд* быдапIэм и лъэхъуэщым щIадзащ. Инал куэдрэ исакъым лъэхъуэщым, Бэрыкъуэр хэлIыфIыхьри къыщIигъэкIыжащ. Ар хуит зэрыхъужу, Бэрыкъуэри къыдэщIурэ, Сэфэд быдапIэри, абы щIэлъ Iэщэри, дэт зауэлIхэри IэщIилъхьащ. Инал и гъащIэр ихьащ, Бэрыкъуэм и жыIэдаIуэу. ГъэщIэгъуэнращи, мы зи гугъу тщIы Иналыр Бэрыкъуэ и бийуэ щытащ: I332 гъэм, Бэрыкъуэри дзэпщу, пащтыхьыпIэми имыту, зекIуэ ежьауэ къэту, Иналым пащтыхьыр зэрыщымыIэр къигъэсэбэпри, (Инал абы щыгъуэм Iэщэм и хъумакIуэт) и дзэлIхэр зэхуишэсри, Бэрыкъуэ и Iэщэхэр зыщIэлъ хъумапIэм теуауэ щытащ. Дауэ мыхъуми, зэманыр къекIуэкIри, Бэрыкъуэр сулътIан хъуащ, Иналыр езым и дзэзешэ хъуащ.** Каир и дыхьэпIэ «Зуелэ» адэкIэ щыт, «Iэлхьэлилие» куэбжэм бгъурыт еджапIэр езыгъэщIар Исуфхэ Иналщ. ЕджапIэр I346 гъэм яухуэн щIадзэри, етIуанэ илъэсым яухащ. Инал и кхъэр а еджапIэм и пщIантIэм дэтщ. Пщы Исуфхэ Инал дунейм ехыжащ, хиджритымкIэ 794 гъэм.* ……………………………………… *"Сэфэд" иджырей Иорданым хыхьэ къалэщ. * Ибн Ийяс, том I, нап 243, 244, I70, 276, 28I, 284, 29I. Мыхьмуд Рызкъ Сэлим том I, I-нэ Iыхьэ,нап I40, I4I, I42. * Мыхьмуд Рызкъ Сэлим, том 3, 2-нэ Iыхьэ, нап 53. 6.Иналбаи дыуэдар (дыуэдар- тхылъIыгъ, письр) Иналбай Пащтыхь Къанщауэ Гъур и лIыкIуэу сулътIан Сэлим и деж игъэкIуауэ щытащ, и мурадхэр къищIэну. Ар къыщыхъуар хиджритымкIэ 920 гъэрщ. Ар къэкIуэжащ и къалэныр игъэзэщIауэ, тыгъэ лъапIэхэри къыздихьауэ, зы тхылъи Гъурым ейуэ. А илъэс дыдэми, пащтыхьым Хьэлэб къалэ игъэкIуащ, абы щыIэ пщы зэмызэгъэжхэр зэгуригъэIуэжын щхьэкIэ. И къалэныр игъэзащIэри, 922 гъэм къигъэзэжащ.* ………………………………………. * Мыхьмуд Рызкъ Сэлим , том I, 2-нэ Iыхьэ, нап 2I6, 2I7. 7. Инал ХьэтIэб I358 гъэм, хьиджритымкIэ 803 гъэм, Темыр ЩIакъуэ и дзэр Хьэлэб къыщыдэлъэдам щыгъуэ, сулътIан Фэрэдж Хьэлэб къалэ игъэкIуар Инал ХьэтIэбрэ Задэ и къуэ Содонрэ пщитIырщ, а лъэныкъуэмкIэ къыщыхъум и пэжыпIэр къащIэну.* …………………………………. * Мыхьмуд Рызкъ Сэлим, I-нэ том, 2-нэ Iыхьэ, нап 255. 8. Инал Ал-Хьэким -(Инал «Iэзэр») I43I гъэм, 879 хьиджритымкIэ, Мысырым и сулътIан Кэтбей и деж къэкIуащ лIыкIуэ гуп, уэсмэнхэм я сулътIаным и деж къикIыу. Абыхэм тыгъэ лъапIэхэр яIыгът, зы тхылъи езы сулътIаным иратащ. Ар лъэIу тхылът, сулътIан Къэтбей и ней зыщыхуауэ щыта Инал теухуауэ: Инал урымыр щтапIэ ищIауэ абы щыIэти, уэсмэнхэм я сулътIаныр, Мысыр и пащтыхь Къэтбей йолъэIу, Инал хуит къищIыжыну, Мысыр къигъэзэжын щхьэкIэ. А лъэIу тхылъым ипкъ иткIэ, Инал Мысыр игъэзэжащ, абы тIэкIурэ щыIэри, итIанэ и хуэкум кIуэжащ.* ……………………………………………… * Ибы Ийяс, том 2, нап I52, I53. Мыхьмуд Рызкъ Сэлим "Мэмлюк сулътIанхэм я лъэхъэнэр" Каир, том I, 2-нэ Iыхьэ, нап 223. 9. Инал ал-Фэкъихь- ( Инал, динымкIэ щIэныгъэшхуэ зиIэр) Мы Иналыр I447 гъэм хьэжыщIхэм я унафэщIу ягъэкIуащ, пщы Куртбей пащтыхь унагъуэм и кIэлъыплъакIуэу, пщы Инал Iэл_Фэкъихьыр-гурыхуэр* абы и къуэдзэу.* 899 гъэм хьэжыщIхэм я тхьэмадэу ягъэкIуар Аздемыр Тимсахьщ-благъуэщ, а IэнатIэр къехъулIэу зэригъэзащIэм щхьэкIэ. Ауэ, ар лIащ, нэщI мазэу, хьэжыхэм я ежьэгъуэри къэмысу, абы и пIэкIэ Инал ал-Фэкъихь ягъэкIуащ. ХьэжыщIыр гъуэгу теувэри, итIуанэ илъэсым и пэщIэдзэращ къыщагъэзэжар. ЗэрыжаIэжымкIэ, а илъэсым ЩамкIэ къежьа хьэжыщIхэм Лам лIакъуэм щыщ хьэрып бедуинхэр къатеуэри яхъунщIащ, цIыхубзхэр гъэр ящIащ, хьэжыщIхэм я тхьэмадэри я гъусэу.* …………………………………….. * «Iэл-Фэкъихь» псалъэр хьэрыпыбзэщ «гурыхуэ» мыхьэнэри иIэу къокIуэ, нэхъ зыфIащыр динымкIэ щIэныгъэ зиIэрщ. **Ибн Ийяс, том 2, нап 28I, 283, 284,286. Мыхьмуд Рызкъ Сэлми, том I, 2-нэ Iыхьэ, нап, I65. Гу лъыдотэ: А) Тхыдэм хэт Инали 9-ри лъэхъэнэ зэпэгъунэгъухэм зэрыхиубыдэхэр. I. Инал пащтыхьыр (I453-I460) 2. Бэджийхэ Инал Сырыху I43I (Къэтбей и лъэхъэнэу дунейм ехыжащ) 3. Инал Ал-Хьикмий I364 (Чыкъмыкъ и лъэхъэнэщ) 4. Къэджмэс и къуэ Иналбей I300 (Бэрыкъуэ и къуэ Фэрэдж и лъэхъэнэщ) 5. Исуфхэ Инал I332 (Бэрыкъуэм и лъэхъэнэщ) 6.Иналбаи Дыуэдар* - Иналбаи тхылъIыгъыр I472 (Къанщауэ Гъур и лъэхъэнэщ) 7. Инал ХьэтIэб I355 (Бэрыкъуэ и къуэ Фэрэдж и лъэхъэнэщ) 8. Инал Ал-Хьэким I43I (Къэтбей и лъэхъэнэщ) 9. Инал Ал-Фэкъихь I45I (Къэтбей и лъэхъэнэщ) Б. Пащтыхь Къэтбей и лъэхъэнэм псэуащ Инали 2. I. Инал Ал-Хьэким I43I 2. Инал Ал-Фэкъихь I45I В. Пащтыхь Къэтбей и лъэхъэнэм псэуа Инали 2-м щыщу и хэку къэзгъэзэжар (Инал Ал-Хьэкимщ). ……………………………. * «дыуэдар»: Пащтыхьыгъуэм къыщыхъухэр зытхырщ «дыуэдарыр». А зэманым апхуэдэ IэнатIэ щыIащ. Псалъэр къэжэрыбзэщ, «дыуэ»- «шакъэ», «тхэпс», «дар», «зыIыгъ». Мы къэхутэныгъэм къызыхуэт щымыIэжу щыткъым, цIэм и пэм е и ужьым къакIуэ цIэлейхэм гугъ ящIри. Ахэр зы цIыхум, езым и увыпIэм елъытауэ зэхъуэкIа мэхъу, зы цIыхум и гъащIэм къриубыдэу, цIэлей зыбжанэ иIэуи къохъур, езы цIэлей зэщхьхэри цIыху зыбжанэм щызэрахьи щыIэщ. Абыхэм езы цIыхур зыщыщ щIыпIэри, лъэпкъри къагъэлъагъуэ - "Шэркэсий" - Шэрджэс щIыналъэм щыщщ, "Мысрий" - Мысыр щIыналъэм щыщ, "Кубаний" - Кубаным щыщщ. И цIэр имытыххэу езыр зи къуэр къигъэлъагъуэу - Ибн Ийяс-Ийяс и къуэ, Ибн Хъэлдун-Хъэлдун и къуэ, Ибн Токъмакъ-Токъмакъ и къуэ хуэдэхэр. ЦIэлейр щытхъууи къокIуэ, дзыуи къокIуэ; псалъэм папщIэкIэ "Грозный, «Инал Нэху»… Зейми емылъытауэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэхэм къыхэкIауэ къыщагъэсэбэпи къохъур - задэ, князь, амир хуэдэхэр; Еиныгъэр къэзыгъэлъагъуэ «и»-р псалъэм и кIэухыу къэзыгъэсэбэп бзэ куэд щыIэщ - хьэрыпыбзэм «шэркэсий» адыгэбзэм «къэбэрдей» урысыбзэм «Русский» нэгъуэщIхэри. Мысырым щекIуэкIа шэрджэс пащтыхьыгъуэр къатщтэу, абы щыгъуэм "цIэлейр" къызэрыхъу щIыкIэр къэтхутэну я ужь дихьэмэ, долъагъур: ЦIэлейр къэзгъэхъу щхьэусыгъуэхэм ящыщщ цIыхур къэзыхьа е къэзыдыгъуауэ щытам и цIэр къадыгъуам и цIэм къызэрыпыувэр; абы ар щищэжкIи, уасэу щIита бжыгъэри цIэлей щыхуэхъуи къэхъуащ. Псалъэм папIщIэкIэ, "Iэ-Iэлфий" нобэми Мысырым унэцIэ щыхъужар аращ къызытекIар; "Iэлф"хьэрыпыбзэм къикIыр "I000"-щ. Пащтыхь Бэрыкъуэм и цIэм къыпыувэ "Iэл-Хьусманий"-р Къавказым изышауэ щытам и цIэрщ; зыщами къэзыщыхужами я цIитIри ящам и цIэм къыщыпыувэ къохъур, цIэлейуэ. Дуней псом щекIуэкIыу щыта пщылIыныгъэр, адыгэм и деж нэгъуэщIущ зэрекIуэкIар… ............................. Къалмыкъ Аднан Ибн Ийяс ал-Хьэнэфий (тхыдэтх, I492 гъ.) «Зеныддин Ибн Ийяс ал-Хьэнэфий: Ар езыр «Iэбулбэрэкат Мыхьэммэд бын Ахьмэд Ибн Ийяс ал-Хьэнэфий Алмэсрий». ЛъэпкъкIэ шэрджэсщ. И тхыгъэхэмкIэ гу лъыдотэ, ар къэралым щекIуэкI Iуэхугъуэхэм хэту икIи абыхэм тетхыхьыжу зэрыщытар. Апхуэдэуи ар усакIуэт, и усэхэри тхыгъэхэм хэпхъауэ хэтт, зытетхыхь Iуэхугъуэм езэгъыу. Абы езыр зыхэпсэукIа лъэхъэнэм щыIа гъащIэр зыхуэдар тхылъиплIу итхыжащ: I. "БэдаIихьул зухьур – КъэхъукъащIэхэм хэпхъа накъыгъэхэр", том II мэхъу, абы щыщу къыдэкIар 4-щ . 2. «Нэшкъул Iэзхьар фи хьэджаIибил IэкътIар – Хэку зэхэлъыкIэхэм къапих удзымэр". 3. "Мэрджуз-зухьур фи уэкъаIихьид-духьур – КъэхъукъащIэхэм хэлъ удзыпцIэр". 4. "Нузхьэтул-Iумэм филхьэджаIеб уэл хьикэм – ГъэщIэгъунрэ губзыгъагъэу лъэпкъхэм я зэхэлъыкIэхэм хэлъыр ". *Джэрыджэ Зидан, том 3,нап.298. Иджыри хамэщI сыщыIэу, курыт еджапIэми сыщIэсу, хьэрыпым и тхыдэм дыхэзыгъэгъуазэ тхылъым итт шэрджэс пащтыхьхэм теухуа Iыхьэ. Сызыдеджэ хьэрып щIалэхэм сызэры-шэрджэсыр ящIэрти, ней-нейуэ къызэплъхэрт, сэри Iэнкун сыкъэхъурт: а пащтыхьхэм сралъэпкъэгъущи, абыкIэ зызыгъэпагэнут, ауэ «мэмлюк» псалъэми псэхугъуэ къызитыртэкъым: хьэрыпыбзэкIэ а псалъэм «пщылI» мыхьэнэр къокIыр. Абы лъандэрэ а псалъэр схъуэжыну соныкъуакъуэ … Хэкужьым къэзгъэзэжауэ, зы махуэ гуэрым къысIэрыхьа «Ленин гъхуэгу»-м ит тхыгъэ кIэщIым и псалъащхьэм сыщрихьэлIащ «мэмлюк» фIэщыгъэм - хамэщI къыщысхэуауэ щыта мастэм аргуэру зыкъызигъэщIащ. Си гугъэмкIэ, щыуагъэри щIэныгъэншагъэм къыхокI. Щыуагъэм и пэжыпIэр къэсхутэн щхьэкIэ тхылъ седжащ. Абыхэм ящыщ зыт Ибн Ийяс и IэдакъэщIэкIхэри. Абы и тхыгъэхэм къыхэщырт лIым адыгэпсэ зэрыIутыр, лIакъуэкIэ абазэхэм ящыщт. Си лъэпкъэгъу лIы щэджащэм и гъащIэм абы фIэкIа зэрыхэзмыщIыкIми сыризэгуэпырт. Апхуэдэу екIуэкIыурэ Мысырым щыIа «шэрджэс пащтыхьхэм» я тхыдэм сызэрыдихьэхыр, тхылъ и пщIэ зыщIэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыщищIэм, Ибн Ийяс и тегъэщIапIэу Мыхьмуд Рызкъ Сэлим томий хъууэ къыдигъэкIа и тхылъхэр къызитащ. Абы къыщызгъуэтащ си гуакъуэр изыгъэкIын куэд. Ибн Ийяс «БэдаIихьул зухьур фи уэкъаIихьил духьур – къэхъукъащIэхэм хэпхъа накъыгъэхэр» и тхылъым Мысырым и тхыдэр ижь лъэхъэнэхэм къыщыщIэдзауэ шэрджэс пащтыхьыгъуэм и кIэм нэсыхункIэ къыщыгъэлъэгъуэжащ. Ар апхуэдизкIэ гурыIуэгъуафIэу тхащи, ущеджэкIэ, езыр къыббгъэдэсу къыбдэуэршэрым хуэдэу къыпщохъу. АпхуэдизкIэ узыIэпишэу Iуэхур къигъэлъэгъуэжащи, а къэхъукъащIэхэм уэ уахэтым хуэдэу къыпфIегъэщIыж. Нэхъ сыдызыхьэхар адыгэ пащтыхьхэм теухуа и тхыгъэхэращ. А лъэхъэнэм тетхыхьыжа тхыдэтхэ куэдым абы щыгъуэм екIуэкIа Iуэхухэр зэхэзыэрыхьауэ къагъэлъагъуэжащ. Ибн Ийяс а лъэхъэным хэтащ, абы хэпсэукIащ, абы къыхэкIыуи и нэгу щIэкIар бзыщI хэмыту утыку кърихьэжащ. Апхуэдэу пэжыр къызэригъэлъэгъэужам абы и пщIэр лъагэ ещI, езым хуэдэхэм къахегъэщ. Ибн Ийяс дунейм ехыжащ Уэсмэн империер щызэфIэувэм. Апхуэдэу щытми и тхыгъэхэм къыщегъэлъэгъуэж Мысырым и лъэхъэнэжьхэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэри. Абдеж абы тегъэщIапIэ ищIыр и пэкIэ итахэм къаIуэтэжа хъыбархэмрэ абыхэм къащIэна тхылъхэмрэщ. Езыр зыхэпсэукIа лъэхъэнэм теухуауэ итхыжа псори и нэгу щIэкIащ. Ар адыгэ пащтыхьхэм япыщIауэ щытащ: зэрыжаIэу абыхэм ядэлажьэрт, ядэшхэрт, я гуфIэгъуэри я гузэвэгъуэри ядигуэшт. Сыт хуэдэ IуэхукIи абыхэм яхуэпэжт икIи иужьым абыхэм я щхьэ кърикIуэм хуэдэщ езыри зыIууэжар. Зи гугъ тщIы тхылъыр томиплI мэхъу, абы щыщу щыр Мысыр щытрадзащ, ахэр Булакъ тхылъ тедзапIэм I963 гъэм къыщыдэкIащ. Тхылъхэр инщ, ауэ зэрытедза хьэрфхэр цIыкIущ. Япэ томыр напэкIуэцI 359-рэ мэхъу. Абы Мысырым и тхыдэр лъэхъэнэжьхэм къыщегъэжьауэ ар хьэрыпхэм къазэухункIэ къыщыгъэлъэгъуащ; кино техыкIэу тхыгъэхэр зэкIэлъыхьащ. Абы IуэрыIуатэри, КъурIэнри, усэхэри къыщегъэсэбэп. Япэу дунейм къытехьа Iэдэм и деж къыщрегъажьэри, I42I гъэхэм, пащтыхьу тета Щехъ и зэманым деж щеух япэ томыр. ЕтIуанэ томым I4I2-I5I7 илъэсхэм екIуэкIа Iуэхугъуэхэр къыщыгъэлъэгъуэжащ, абы хеубыдэ пащтыхь Къэтбей и тепщэгъуэри. Мы томым а лъэхъэнэм екIуэкIа къэхъукъащIэхэр нэхъ зэпкърыхауэ щитхыжащ абы. Псом хэумыдэу, фIы дыдэу, къигъэлъэгъуэжащ пащтыхь Къэтбей и лъэхъэнэр. Ещанэ томым къыщыгъэлъэгъуэжа къэхъукъащIэхэм я зэкIэлъыхьэкIэкIэ еплIанэ тхылъу къэбгъэлъэгъуэну нэхъ тэрэзщ, аращи ещанэр кIуэдауэ къокI. Мыбы хеубыдэр СулътIан Къанщауэ Гъур и лъэхъэнэр. Апхуэдэу а кIуэда Iыхьэм итын хуеящ Къанщауэ Гъур Уэсмэнхэм я дзэм зэрезэуар, а зауэм гъэпцIагъэрэ щэхуу щызекIуа псори, Къанщауэ Гъур зэрыхэкIуэда щIыкIэри. АдэкIэ иужьрей шэрджэс пащтыхь Тумэнбейр зэрытеувэр, ари уэсмэнхэм я къарум пэмылъэщу, абыхэм щIыналъэр зэраубыдар къыщыгъэлъэгъуат. НэгъуэщIу жыпIэмэ, а лъэхъэнитIым я зэхэкIыпIэр – адыгэ пащтыхьыгъуэм и кIэухымрэ уэсмэнхэм я къытехьэгъуэмрэ - итын хуящ ещанэ томым. ЕплIанэ том. ЗэрытщIэщи, еплIанэ томыр Мысырым щыIэ Булакъ тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIакъым. Ауэ Константинобл дэса, къуэкIыпIэ тхыдэм елэжь нэмыцэ щIэныгъэлI гупым ещанэ том кIуэдауэ щытар къагъуэтыжри, абы къыщыдагъэкIащ, гъэщIэрэщIауэ икIи хэлэжьыхьыжауэ. Абы, фIы дыдэу къыщыгъэлъэгъуэжащ Къанщауэ Гъур и лъэхъэнэр. Константинобл къыщыдэкIа тхылъым и кIэлъыплъакIуэхэм Ибн Ийяс къритхэкIахэр ягум темыхуэу, тхылъым щыхэтхыхьыжым ар пцIыупсу кърагъэкIащ, хуэмыфащэ куэди хужаIащ. Дауи, Ибн Ийяс и лъэпкъэгъу шэрджэсхэм къащыщIар и гум техуэнутэкъым, зэрыпхъуакIуэхэри игъэзэхуэнутэкъым. Арати, "шэрджэсыр шэрджэсым и телъхьэ хъуащ"* хужаIащ. Пэжыр жыпIэмэ, Ибн Ийяс и тхыгъэхэм нэфI-ней гуэри ущрихьэлIэркъым. Абы пэжу къэхъуар итхыжащ, лъэныкъуитIми яхэлъа ныкъусаныгъэхэр щIимыуфэу къиIуэтэжащ. Абы къыхигъэщащ гъэпцIакIуитIым я цIэхэр: Хъербэчрэ, Жан Бердрэ. Абыхэм я Iуэхури зэхэхауэ итхыжащ.* …………………………………. * Мыхьмуд Рызкъ Сэлим, том 4, нап 253. Етхуанэ томыр Константинополь къыщыдэкIащ. Абы итыр "Булакъ" тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа ещанэ томым къыщыгъэлъэгъуахэрщ - уэсмэн империем и тепщэгъуэр. Ибн Ийяс и тхылъ псори зы жыпхъэм тету зэхэгъэуващ. Абы махуэ къэс къэхъур итхырт: «Нобэ щэбэт махуэщ, щIыщхьэIу мазэм и ...» И тхыгъэр апхуэдэу къригъажьэрти, а махуэм и нэгу щIэкIахэр къритхэкIырт. Апхуэдэурэ махуэ къэс къэхъуахэр итхыжырт, илъэсыр иуха иужь ар зы Iыхьэ ищIыжырт. Мис апхуэдэу махуэ къэс къыдэкI газетым дунейм щыхъыбархэм узэрыхигъэгъуазэм хуэдэу, абы и тхылъхэм щызэхуэхьэсащ илъэсищэ бжыгъэхэм я къхъукъащIэхэр. Ибн Ийяс щыпсэуа лъэхъэнэм мыхьэнэшхуэ зиIэу екIуэкIа Iуэхугъуэ псоми езыр хэтащ. Апхуэдэу пащтыхьым и деж лIыкIуэ къэкIуамэ, абыхэм яхэст, къэрал кIуэцI Iуэхухэр зыфIэзыххэм яхэтт. Абы имыщIэу къэралым зыри къыщыхъуртэкъым жыпIэми, ущыуэнукъым. Ар къулыкъущIэхэм я гъусэт, щIэныгъэлIхэми тхакIуэхэми япыщIат, Iуэху мыщхьэпэхэр щызэфIах судми щIэст. Ибн Ийяс адрей тхакIуэхэмрэ тхыдэтххэмрэ яхэмылъа хьэл хэлът: и тхыгъэхэм усэ Iэрамэхэр хигъэувэрт, зытепсэлъыхьым зэрыхуэфэщэнкIэ. А усэхэм хьэрып литературэр нэхъ къулей ящIащ. Псалъэм папщIэкIэ, Къанщауэ Гъур тырку сабий ибэхэм яхухих ахъшэм щыщ шэрджэс сабийхэми яритынути, езым и блыгущIэт Къэт Рэджбий къыхуидатэкъым. А Iуэхум игъэпIейтея Ибн Ийяс мы едзыгъуэ цIыкIур абы триухуат: Гузэвэгъуэ уихуамэ, Тхьэм елъэIу – УемылъэIу Тырку, зэвщ абыхэм я нэр.* Апхуэдэу абы и тхыгъэхэм фIы дыдэу щыгъуазэ ухуащI цIыхубэм я зэхэтыкIам, абыхэм я дэтхэнэ зы дауэдапщэри зэхэхауэ къегъэлъэгъуэж. КIэщIу жыпIэмэ, зы къэхъукъащIи зэрыдимыгъэхуэным хущIэкъурт. Адыгэ пащтыхьхэм я лъэхъэнэр зыдж тхыдэтххэм тегъэщIапIэ нэхъыщхьэу яIар Ибн Ийясщ. Мыхьмуд Сэлим Рызкъ и «Мамлюк сулътIанхэм я лъэхъэнэ» тхылъыр щигъэхьэзырми къигъэсэбэпар Ибн Ийяс и IэдакъэщIэкIхэрщ. Абы и тхылъ томи 8-уэ зэкIэлъыхьам Ибн Ийяс теухуауэ щыжеIэр: " СызэрыцIыкIурэ сыдихьэхыу седжэрт Ибн Ийяс и тхылъхэм. Ар и лъэхъэнэм и гъуджэт, узэригъэхъуапсэу губзыгъэт, зыхэт гъунэгъум нэмыщIауи, блэкIа жыжьэхэр зэпищIэфырт, илъэсхэр зэкIэлъыхьаурэ уи пащхьэ къригъэувэрти, укIуэцIригъэплъыжырт. Тхьэ закъуэращ зыри къызыхуэмытыжыр, Ибн Ийяс щыуагъэ гуэрхэр IэщIэмыкIауэ пхужыIэнукъым, псалъэм папщIэкIэ, илъэс бжыгъэр щитхкIэ, абыхэм щыуагъэ ущрохьэлIэ. Ауэ апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ щыуагъэ къыхэмыхуэу хэт зыхуэтхынур!". * …………………………………………………………… *Мыхьмуд Рызкъ Сэлим "Мамлюк сулътIанхэм я лъэхъэнэр" Каир I952, том 3, япэ Iыхьэ. нап290-296 Еджэм упщIэ игъэувынкIи хэлъщ: ПщIэшхуэ зиIэ архивым щIэлъ тхыгъэхэр сыт тэрмэш щIамыщIыр? -ЖиIэу. Ибын Ийяс и IэдакъэщIэкIым и закъуэкъым архивым щIэлъыр дунейм къытегъэхьэн хуейуэ. А лъэхъэнэми, яужь къэкIуами хэтащ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа лIы щэджащэхэр: Тыкъумакъ, Ибн Тыгъри Бырдий, Ал-Кэусэрий, Щехъ (пащтыхьыр), Къанщауэ Гъур (пащтыхьыр) дэ дымыщIэуи щыIэнкIи хэлъщ. Ауэ, ахэр лъэпкъкIэ шэрджэсми зэрытхахэр хьэрыпыбзэщ. Хьэрып лъэпкъым и дежкIи гугъщ, ахэр архивым къыщIэпщу иджырей еджакIуэм и пащхьэ иплъхьэныр, ахэр зэрытха хьэрыпыбзэр иджырейуэ тхыжын хуейщи, ахэр иджыреибзэкIэ тхыжа хъун щхьэкIэ, бзэжьри, бзэщIэри, а лъэхъэнэм щыIа тхыдэри пщIэн хуейщи. Адыгэм и деж гугъехьыр тIуащIэщ, нетIэ жыхуэтIа хьэрыпыбзэм пыщIахэм нэмыщIауи, а хьэрыпыбзэр иджырей адыгэбзэмкIэ зэдзэкIыжын хуейщи. Архивым щIэлъыр адэ щIэинщ, адэ щIэиныр къэхъуркъым лIэныгъэр абы япэ имыщауэ. "Хэхэс адыгэ литературэ" щымыIауэ къэхъуар дунейм къытезыгъэхьар езым япэ ита зэдзэкIын Iуэхурщ. Ар къоувыр, адэщIэиным япэ ищ лIэныгъэм хуэдэу. ХамэбзэкIэ тха адыгэлIым къыщIэнар ууей хъун щхьэкIэ ар уи иджыреибзэмкIэ пхузэдзэкIыжын хуейщ-пхузэмыдзэкIмэ, езыр зэрытха бзэм еижщ. "Адыгэ псалъэ" газетыр адыгэбзэм и плъыр хъуауэ йокIуэкIыр бзэ, тхыдэ, хабзэ илъэныкъуэкIэ. Абы махуэ къэс лэжьыгъэщIэ дунейм къытрегъэхьэ, псэ хэту, бауэу, цIыху еджэр иридауэу. Бзэр зыгъэлажьэу щыIэжыр а закъуэрщ. Ауэ, абы и закъуэкIэ зэфIэмыкIын Iуэхухэри щыIэщ, нетIэ дызытепсэлъыхьа адэщIэиным хуэдэхэр. Ахэр Iуэху щIын хуейуэ къыщIэкIынущ- дымыщIэмэ, адэщIэиныр хамэм къыхуэнэжынущ. Си гугъэмкIэ, нобэ ди щIалэгъуалэм я дуней тетыкIэ дигу иримыхьыр къызыхэкIар и бзэмрэ, и хабзэмрэ, и тхыдэмрэ зэрыщIэтмыпIыкIыфарщ. ……………………………. Къалмыкъ Аднан
{ "source": "adygabza.ru", "id": "uik.txt" }
ЛIэныгъэм уезыгъэгупсыс ущие Къэсынущ, щхьэемыгугъу, уэри «нежьэ» къыщыбжаIэну сыхьэтыр Алыхьым и унафэм фIэмыкI ХьэзрэIил мелыIычышхуэр ныпхуеблэгъэнущ. Къуэши, ныбжьэгъуи ищIэкъым абы И чэзум хихынущ уи псэр Iэнэ узэдакIэ упежьэу щытми, Зихъуэжынукъым зыми. ЛъэIуми щытхъуми хуэ-дэгущ, тIу ищIкъым Тхьэм и псалъэр Уи лъэпкъ ехьэжьами хуиIуэхуIакъым, ухэтми едэ. Жьыри щIэри и зэхуэдэщ. ГущIэгъумрэ хьэзабымрэ щиугуэшкIэ, Къулейри тхьэмыщкIэри, лъэщри тIасхъэри зыщ абы и дежкIэ. Уэ сыту шынагъуэ а сыхьэтыр! Сыту хьэлъэ, иужь бэуэгъуэр, Къеламрэ бэлыхь хэхуамрэ щызэхэкIынур! Уэ Iэмал зимыIэ кIэух! Къэгъазэ зимыIэ лIэныгъэ! Алыхьым и гущIэгъум дыхэнмэ, Сыту гужьеигъуэ мы дызыхуэкIуэр! Сыту щIыпIэ жыжьэ, унэсыху ущIэгузэвэн защIэу! Уэ игъащIэкIэ дыкъызыщIэмыкIыжыфыну щIэхIэпIэ! Сыту сытхьэмыщкIэIуэ, сыту мащIэIуэ си гъуэмылэр! Сытуи сыхузэмыпэщрэ сэ мы гъуэгуанэ кIыхьым! Къуэшхэми шыпхъухэми уабгынащ, Дапщэщ уэ гу быдэм зыкъыщыпщIэжынур? Уи пэ ищахэм фарзыр ягъэзэщIакIэщ Уэ игъащIэкIи мыбы ущаIыгъыну? ЛIахэмрэ яукIахэмрэ уатопсэлъыхь, Уи ежьэжыгъуэр зэи къэмысын хуэдэ. Нэмэз щIыгъуэр уэшхыу къепсэпсауэри теужащ ЛIэныгъэр уигу къимыгъэкIыххэу. УкъыхэмыщтыкIыу упсэуну ухуейт, псае цIыкIу, Ауэ уи къарур унэным тебухэмэ, Мащэм зыгуэр щыбгъуэтыжыну? Хабзэ къежьэхэм узэрифIэщкIэ уахуопщылI Алыхьталэм игъэувахэр къыпфIэIуэхукъым Иблис и гъуэгухэм пфIэфIу урижэкIэ ЛIыкIуэ лъапIэм и ныпым ущIагъэувэну? ШейтIан-бийм и унафэхэр жану бгъэзащIэкIэ, Бегъымбар дыщэр арэзы къыпхуэхъуну? ПцIыхурэ зыгуэр, уи пIэкIэ щIым щIэхьэу ЛIэныгъэм и гуащIэм еIубыну? Е, уи пIалъэр къэсмэ, унафэр ихъуэжу Уи чэзум мащэм игъуэлъхьэну? Уэ пхуэдэу гъащIэм итхьэкъуа дапщэм Я хъуэпсапIэхэм я ажалыр къытежа? Iыхьлыри благъэри къакIэлъыгуIэу, Хьэзаб фIэкIа щамыгъуэтыну кхъэм дапщэ ирахьэха? Иджы, Мункэррэ Нэкиррэ къыщIохьэ, «Хэт уи тхьэр?» жаIэри урахухь Жэуап пхуэмытмэ, псэухэр къакIуэу къыбдэIэпыкъуну? Мащэ шынагъуэм уикъузын щIидзэмэ, Дэтхэнэ къуэшра бэлыхьыр пщхьэщызыхынур? Мы дуней щIэращIэм ущыхэкIыжкIэ ЗыкъыпщIигъэкъуэну узыщыгугъIа? Дауэ ущIэгъуэлъхьэну щIы фIыцIэм Уи пIэ щабэм укъыхэкIыу? Пэш Iэхуитлъэхуитхэм уесауэ ПIэщхьагъ тынш пхуэхъуну пIэрэ мывэр? Упсэуху къежьэм я нэхъыфIыр зыкIэрыплъхьащ, Iэщхьэ зыпымыт джанэри уэкIуну? Щыхь куцIымрэ фо цIынэмрэ хэтхъыкIам ХьэпIацIэхэм зебгъэшхынкIэ сыт уи лIыгъэ? ХеящIэ пхъашэм и пащхьэ ущихьэкIэ Лей хъунукъым уи щэныфIагъыр. ГъащIэ кIэухыншэм и губгъуэу щыт мы дунейм И уасэр абы къыщыбжаIэнущ. Упсэуху пщIауэ хъуар къызэрапщытэу УзищIыс дыдэр плъагъужынущ. ДунеягъэкIэ блэжьахэр къашэча нэужь, ЦIэуэ пхуэфащэри зэхэпхынущ. Рышачэ ткIийр щышачэкIэ Щхьэпэн къыпхуэхъунущ уи нэмэзхэр. Алыхьыр зэрызакъуэр хьэкъ пщыхъумэ Уехъуэпсэжынущ Iиманым и къабзагъым. Суннэм и Iыхьлыр зэрехъулIар плъагъумэ, «ЩIэрыщIэу сыпсэужащэрэт!» жыпIэнущ. Мэхьшэрым узэрынэсу пщIэншэу пIэщIэкIа гъащIэм УгуIэурэ ухуеIэбэкIыжынущ. Гуэныхьлэжь чэфхэм уабгъурыту ухагъэкIуэтмэ, Хэт игъэкъуэншэжын уипкъ тхьэмыщкIэм? Ух зимыIэ гъэсыныпхъэу къыхаха гуартэр ГущIэгъум щыгугъкIэ къыхуэщхьэпэну? Жэхьэнмэм къыщыкъуэлъэну зыхуиухахэр ЛъаIуэ щхьэкIэ яутIыпщыжыну? Зыхомыхауэ пIэрэ лIа нэужь къэтэджыжахэм я хъыбар? КупщIэншэу псэууэ хьэзабым хэхуэжахэм? НэIусакъэ уи деж гъащIэм ириджэгухэм ЖэхьэнмэкIэ еджэу унапIэ хуагъэхьэзыру? СщIакъым жыпIэу уаIэщIэкIыну ущогугъ Ауэ ЛIыкIуэ лъапIэр къытхуагъэкIуакIэщ. КъигъэщIам я нэхъыфI Мухьэммэд Бегъымбарым Шэрихьэтыр къызэрытхуихьар зэхэпхагъэххэщ. Абы дызэрытетыну щIыкIэри ЩIэныгъэлIхэм къызэрыджаIэрэ мащIэ щIа? Iуэхугъуэ къэс щапхъэ зэрыз иIэжу Я тхылъхэм къыщратхэкIакъэ? ИпщэкIи ищхъэрэкIи зыщыплъыхь ЩыIэкъым зыщIыпIи апхуэдэ фIыгъуэ. Дуней псор ихъуреягъкIэ къызэхэкIухь Абы нэхъыфI дин бгъуэтмэ, сэ си Iуэхущ! Мажусийхэми дэуэдэпщэхэр яIэщ Зи, я акъыл техуэкъым Тхьэм и псалъэм. «Алыхьым дину къыбгъэдэкIар ислъамырщ» А аятыр фIыгъуэу щыIэм я пщалъэкъэ! Хэт зымыщIэр зэгуэр дызэрылIэжынур? Удын къелэжь ар къызыфIэмыIуэхум. Зыри игъащIэкIэ зэрымыпсэунур хьэкъщ Уи екIуэлIапIэр умыцIыхуныр къуаншагъэшхуэщ. СыхущIыхьакъым жыпIэну аракъэ? Хъыбар удогъащIэ: гъэхьэзыр уи жэуапыр. «Ислъамым сыхуеджакъым сэ» жыбоIэ КъэдаIуэ-тIэ, гунэф, къыбгурызогъаIуэ. ЖеикIэи зыгъэпсэхуыкIэи пщыгъупщэжауэ, Хьэлэлри хьэрэмри уи зэхуэдэу Уи гум зимыгъэнщIыжрэ укIытэ уи нэгум имылъу Къыщыбджэдыхьым щыгъуэ ухущIыхьаи?! Укъызэрелыну Iэмалхэр зомыгъащIэмэ, А уи сату щIыкIэмкIэ укъинэнущ. Гупсысэныр Iуэху зэрыпхуэмыщIым къыхэкIагъэнщ Егъэлеяуэ мылъкум узэрыхуэпабгъэр. Ахъшэ щхъыщхъ макъыр къыздиIукI лъэныкъуэм ЗанщIэу унэсыфу дауэрэ зебгъэса? Рекламэм узэщIишэу узрилъафэ губгъуэм Къашыргъэу зыщебдзыхыу хэт и акъылкIэ уеса? Уи щIэблэм къахуэбгъэнэн зэхубохьэс Хъункъэ а Iуэхум узэрелIэлIар? Дапщэщ уигу къыщригъэкIуэнур Мы улIэмэ къыпщIэныжыну мылъкум? Тобэр бгъэIэпхъуэу мыпхуэдэу ухьэулеину Алыхьым и гущIэгъумкIэ укъигъэгугъа? Хьэрэмыр жэщи махуи уи Iэпэгъущ МафIэм узэрыхэтыфын къаруи уиIэ? Алыхьыр щабэщ, сытри пхуигъэгъунущ, пэжкъэ? НтIэ, щхьэзыфIэфIу убгъэдэтыну губзыгъагъэ? «ЦIыхум псори езытар Сэращ» БжесIэм и щыхьэткъэ а аятыр? Нобэ гъащIэм къыпыпхым къыпэкIуэу Нэху зэрыщу жэуап ткIий уагъэхьыжынущ. «Абыхэм къеупщIынущ» къыщыбжаIэкIэ Акъылыншагъэщ къыпхуащIар пщыгъупщэжыныр. «Фэ фщыщ дэтхэнэ зыри жэхьэнмэм щIэхьэнущ» Дауэ абы къеджар зэрымынэщхъеинур? Уэ сыту быдащэ гур, сэр дыдэм шэчыншэу сщIарэт Ар Алыхьым и пащхьэ щыкъабзэу. «КъысхуэпщылIын къудей папщIэщ сытри къыщIэзгъэщIар» Хэт а аятыр зымыщIэр? Псае щыкIам зыкъыфIэщIыжын щимыгъэтрэ ФIыкIэ сымыухмэ сыунэхъуакъэ? Уигу къытщIэмыгъумэ, ди Тхьэ ЛъапIэ, Хэт дэ нэгъуэщI дызэкIуэлIэжыну диIэр? IэнэщIу сыкъыпхуэкIуами, сыуипщылIщ Си псэкIуэдхэр къысхуэгъэгъуи СыщIэгъэхьэ мыкIуэдыжыну хэщIапIэм! Я Аллахь! СIэщIэщIахэм сыхущIогъуэж, Сытым ещхь сэ езым си псэукIэр? СыIэнэщIми, Уи пащхьэ Iэсэу ситщи Пэжым сыхуэунэтI си псэр щысIипхыжкIэ. Псае - нэфс
{ "source": "adygabza.ru", "id": "uioi.txt" }
19I4 гъэм Германым къигъэхъеяуэ щыта Япэ Дунейпсо империалист зауэм адыгэхэри хэтащ, урыс пащтыхьыдзэм я гъусэу. Абы щыIауэ, псэууэ къелауэ къэзыгъэзэжахэм уэрэдитI къыздахьыжащ, абы щаусауэ. УэрэдитIым – зыр къэбэрдейуэ а зауэм хэтахэм яусащ, адрейр – шэрджэс абы щызэуахэм яусащ. Мыр къэбэрдейхэм яусарщ. КъардэнгъущI Зырамыку Герман зауэжьым кIуахэм я уэрэд Къэбэрдеймэ, уэр, фи щIалэгъуалэр А рэуи, зэхуосыр. ЗэщIошасэри Налшык къалэжьым ныдокI. ЗэхагъэкIри къэбэрдей лIыщхьэр къахоплъэ. Дэ дызэплъыр къэбэрдей напэрщи – дохъумэ. Къэралыжьым дрихъумакIуэти дыножьэ. Къэралыжьти Австыр щIыналъэм дынохьэ. ЩIыналъэу дэ дызэрыхьам батэр щагъэш. Мышынэр шуупэхутэт – нахокI. Къуэшрокъуэри фоч закъуэрыуэкIэ нахохьэ. Австрышэри гъэмахуэ уэшхт – къыттохэ. Дзэхушэри и куэпкъыщхьитIым и лысщ. ЩIымахуэри лъэгуажьэ уэст – доубэ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "uiolk.txt" }
Унагъуэ Гуащэ и дерсхэм къыщипсэлъхэр зэIэпах къудейтэкъым, гум къранэт: «Зы пщыхьэщхьэ гуэрым «сешащ» жызоIэри, си щхьэгъусэм и джанэр сымыжьыщIу согъуэлъыж. «Ныжэбэ сылIэмэ-щэ?» - согупсыс сыздыхэлъым»… Хъыбар дахэ куэд щыIэщ узыщытхъужу фэ къыптеуэми, щIалэгъуалэм зэхебгъэхыныр щхьэпэу. Апхуэдэт Гуащэ къэтэджыжу и лIым и джанэр зэрижьыщIыжам и хъыбарри. Зэхэзыххэми зыжраIэжхэми хьэкъыу япхыкIт жьыщIыпхъэр нэху къекI зэрымыхъунур. Гуащэ и еджакIуэхэр нобэ-пщэдей унагъуэ ихьэн пщащэ защIэти, джанэхэри яжьыщIынут, егъэджакIуэр зытепсэлъыхь урыс «декабристхэм[1]» я щуIэгъэхэм ещхьу, мывэри вагъуэри ирагъэхыу ялIхэм ядэпсэунут. Гуащэ иджы лэжьапIэи кIуэжкъым, иригъэджэжиIакъым, ауэ и гупсысэкIэ хэIэтыкIар, и плъапIэ лъагэхэм яхуэфащэу, зэрыжанщ. «Жьыщхьэмахуэ» зыхужыпIэн зэщхьэгъусэхэм унагъуэ дахэ зэдаухуащ: я фIыр наIуэщ, я Iей зыщIыпIэ дежи къыщыхэщкъым, ягъэлъэгъуэну зыхуейм теухуауэ тIури зэакъылэгъущ. Лъагэу, екIуу, цIыху зэпIэзэрыту, зифI мынаIуэ адрей къулыкъущIэ къомым нэхърэ нэхъ «зэкIуэцIылъыжщ» зэрыхужыпIэн игъащIэкIэ думылъагъуну, уеблэмэ IэджэкIэ нэхъ гутехуэгъуафIэу лIы тыншт, «унэгу» жыхуаIэ цIыхухъухэм ящыщ абы и щхьэгъусэр. Телевизор, тхылъ, кIэзет, хьэщIэ, дыуэщI, хьэгъуэлIыгъуэ жыпIэми… ЦIыхухэм щахэгъуащэкIэ, гъащIэр къехъулIащ. Къалэку дыдэм хуэзэ я унэ зэлъыIухам къыщIэхьэхэми апхуэдэу щIамылъытэн щхьэусыгъуэ Iэнэм телътэкъым. Зи гугъум дигъалIэу зи щхьэ дымылъагъу цIыхушхуэхэм я сурэтыр цIыху цIыкIухэм ди нэгум щIэмыкIыж тщызыщIыр ахэр нэхъыбэрэ зылъагъу я щхьэгъусэхэращ. Ауэ сыту Iуэхушхуэ зилI цIэрыIуэ а фызыфIхэр, жыдамыгъэIэнур зэхамыхын щхьэкIэ, езыхэр псалъэм зэдэIуэжхэурэ, жаIэри зытепсэлъыхьри яужэгъуу зэш кIыхьым зэриубыдыр. Ахэм я дежкIэ фIыр е щыIэкъым, е езыхэм ятеухуащ, е пцIыщ. ИужьреитIыр, пэжыпIэ иIэу щызэтехуэ къохъу. ПцIыр зимыхьэрэмыр къамыгъэпцIэнкIэ, къагъэпцIар дзыхьмыщI мыхъункIэ амал щимыIэкIэ, хуэмурэ - ухуеймэ ныбжьым телъхьэ - удзыпцIэм пэIэщIэ хьэндырабгъуэхэр хэлъэтыншэ, щхьэхынэ, гурыщхъуэщI мэхъу. Дыдэплъеину зыхуэфащэ, хэт нэхъри нэхъ ехъулIауэ тлъытэн хуея Бырымбыхуи, дызыхуриджэ и «фIэщхъуныгъэм» езыр епцIыжа нэхъей, хэт нэхъри нэхъ насыпыншафэ къытоуэ. «СыщимыгъэбэмпIам сигъэгузэващ игъащIэм», - хужиIэурэ игъейт дунейм ехыжа и псэгъур жаIэ пщIэ лей зыхуащIу щыта къулыкъущIэ гуэрым и унэгуащэм. «Апхуэдэу флъагъу щхьэкIэ, цIыху гугъущ, сытым дежи и хъуреягъыр къэжыхьын хуейуэ», - лIыр щIэмысу къеблэгъа хьэщIэхэм я нэр къигъаплъэт нэгъуэщI зым. Акъыли, хабзэи, утыку итыну зи натIэ цIыхухъум зыхуигъэфэщэн хуэдэу гуакIуагъ гуэри зыбгъэдэлъ мы бзылъхугъэ зэкIэлъыкIуэхэр ди нэгум зыщагъэщIэрэщIэным къыдэхуэхэу щытамэ, зэплъыжыфынкIэи залъагъужыфынкIэи хъунт, ауэ хущIыхьэ къыщIэкIынкъым, нобэ хьэщIэ къыхуэкIуэну пэплъэ Гуащэ зэрыхущIэмыхьэм хуэдэу. Гуащэ а зи гугъу тщIыхэм зыкIэи ещхькъым, абы дин зэрехьэ. ФIэфIу, и фIэщу, и гукъабзагъым къызэрихькIэ къимыкIуэтрэ къэмыгущкIэщIу. И щхьэцыр щIэзыхъумэ и IэлъэщIымкIэи, и жьэр зэтрихыху къыжьэдэIукI псалъэ пэжхэмкIэи, нэмэз зымыщI и «лIы тыншым» дигъуэ къомым ищIыIужкIэ и гъащIэ псом къилъыхъуа Щауэ Махуэр нэкъыфIэщIу къызэрыщIэкIам кърит мыарэзыныгъэмкIэи къащхьэщокI ар адрейхэм. ХьэщIэщри унэлъащIэри зыхуей хуэзащ, Iэнэр зэпэщщ: бжьэ фор бжьэ фоууэ, хъарбыз фор хъарбыз фоууэ, зэман зэримыIэм къыхэкIыу шыпс зыщIимыщIыхьа джэдыр тхъуэплъу гъэжьауэ, Гуащэ поплъэ телефонкIэ и жьэIуасэу, нэкIэ имынэIуасэ бзылъхугъэ мыцIыхум. Iэджэ игу зэрыпыкIым, унэ гуащэр ерыскъыфIэу щытын зэрыхуейр фIыуэ къызэрыгурыIуэм и щыхьэту, «сыбгъэдэсарэт» жозыгъыIэ Iэнэ лъахъшэм тригъэувэну шхыныгъуэхэр тепщэчхэм ирегъэзагъэ. ФIэмыфI гуэр хабзэм и хьэтыркIэ ищIэху къэс, Гуащэ зы залэкIэ нэхъ лъагэу зилъытэжыну хуит зищIыжт, арати тIэкIу зэрыпIейтейри, игу иримыхьынкIэи хъуну цIыху зы-тIу игу тригъэхуэн хуей зэрыхъунури къехьэлъэкIтэкъым. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, «блэжьыр Алыхь папщIэ лэжьын» гурылъ дахэри и хамэтэкъым хьэж зыщIа, уеблэмэ тхылъ зыбжанэ диным теухуауэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа Гуащэ. ХьэщIэщым удзгъэгъа щIэтщ, яшхымрэ щатIагъэмрэ ар зэрыщхьэдэплъыхыфым уригъэгупсысу. Ауэ нэм нэхъ къыщIэуэр унэгуащэр и гъащIэ кIыхьым зыдэпсэуа, бынищ зыдипIа и щхьэгъусэ пэжым зэрыхущытращ. Унагъуэр сыт и лъэныкъуэкIэи хьэщIэхуэфIу щытми, цIыхущIэ къыщеблагъэкIэ, щхьэхуимыту узыхуегъэсакъыж. Абы уэ узэсэжа гуэрхэм гу лъитэнкIэи хъунущ, илъэгъуар жиIэжынущ, апхуэдэ хьэл имыIэми, игу къинэнущ. Ауэ нобэ хуэдэу хьэщIэм илъэгъуахэр тхыгъэу итхыжыну къыщIэкIми, Iуэхутэкъым, сыту жыпIэмэ, пщIэкIэи щIыхькIэи ирикъуа а зэщхьэгъуситIым апхуэдэхэр къафIэIуэхун хуэдизу фэрыщIхэтэкъым; зыхуейр щыжаIэф, щIэн хуейр цIыху гъэсам езыр-езыру щищIэф ныбжьым и IэфIыгъуэм итхэт. ХьэщIэр сэрат. КъулыкъущIэу зи гъащIэр езыхьэкIа ЛIытынш упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэзгъэзэну си къалэнти, «къакIуэ» щыжаIа сыхьэтым сынэсын хуэдэу сежьат, сымыцIыху бысым щауэм нэхърэ зифI куэд зэхэсха бысым гуащэм сызэрыIуплъэнур, ари и унэкIуэцI сызэрыщыIуплъэнур си гуращэу. СыщIэкIуэр езыр зэрыармырам фэ зытегъэуэн бэлыхьыр тIуми тщхьэщихт: абы зэрыщымыту зищIын къалэн зыхуигъэувыжынутэкъым, сэращи - сытIасхъэщIэхт. Щыхьэрышхуэм щылэжьа ЛIытынш урысыбзэр нэхъ къехъулIэу къыфIэщIри тхыгъэ кIапэ гуэр игъэхьэзырат. Сэ ар диктофоным езгъэтхыу сежьэжын фIэкIа нэгъуэщI Iуэху зэхудиIэтэкъым. СыщIэкIыжынуи къыщIэкIынт, Гуащэ и Iэнэм нэмыщIамэ. Унэ тхьэмадэмрэ сэрэ дызэдэшхэныр, дауи, тIури дызыщIэмыхъуэпс Iуэхугъуэт. Ауэ псалъапIэу къыдатар Iэнэрати, хэдапIэ къанэтэкъым. ХьэщIапIэм ущыхэгъэрейуэ, лэжьапIэм ущыхьэщIэурэщ нэрыбгэ зэбгъэцIыхуагъащIэм и дунейм япэ лъэбакъуэр зэрыхэпчэр. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэну Iуэхум къыхэхъухьыр сыт жыпIэмэ, и дзыхь къуигъэзу и макъ зэхозыгъэха псэлъэгъур Iыхьлы пэлъытэ пхуохъу: игъащIэкIэи бгъэпэжыну зэбухылIам ещхьу, узытепсэлъыхьым ирищIэкI уаери мафIэри мащэм здэпхьын хуэдэу. СыIэнкунщ, ауэ бысымыр сымыгъэгушхуэмэ къызжиIэнум и нэхъыбэм сыхэкIыжынкIэ хъунущи, «едзакъэ»-р зэрызэхэсхыу ди зэхуакум дэт Iэнэ лъакъуиплIым си нитIыр щызызогъакIуэ: - Хэт ерыскъым япэу хэIэбэн хуейр? – сщIэтэкъым жи. - Уей, хьэзырырам, - сегъэбэлэрыгъ бысымми, и тхылъымпIэр зэригъэзахуэурэ. Гуащэ Iэнэм къыкIэлъикIухь хуэдэурэ ди закъуэ дыкъигъэнами, къыщIэхьэ-щIэкIыжщи, укIытэр хуэмурэ IуокIуэт, апщIондэху ЛIытынш итхам къысхуоджэ. Дунейм ехыжа щIалэм и гугъу ищI пэт, мо лIышхуэм и гур къызэфIонэ, тоуж, адыгэбзэкIэ пыдощэ... ЦIыхухъум махуэ къэс нэпс IэщIэкIкъым, псом хуэмыдэу япэ къэс тхылъымпIэцIалэм и пащхьэ ису. Ауэ щхьэусыгъуэм зыгуэри къыпхуэгъун ещIыф. Гуащэи Iэуэлъауэншэу къыддэтIысауэ, хуиту дегъэуэршэр. «Хъунщ ар, сежьэжынщ»ыр къыдэсшеин сигу къыщыкI дакъикъэм, «Иджыри зы кофе сефэнт», - жеIэри ЛIытынш щуIэгъэм зыхуегъазэ. Абдеж къэхъуар сызыхуэмыхьэзыр гуэрт. «Уэ апхуэдиз кофе уефэ зэрымыхъунур, ар зэромызэгъынур умыщIэж нэхъей…» жиIэу къыщIидзэри, зэхэпхын папщIэ гугъу удехьын хуэмейуэ, ауэ «седэIуарэт»и жумыIэну ущие мыкIэщIкIэ гурыIуэгъуэ къищIащ Гуащэ, и псэуэгъум гъащIэ кIыхь къигъэщIэну зэрыхуейр. Соплъых… Сыкъыдэплъеймэ си къуаншагъэ гуэр къэслъагъун шынагъуэ щыIэ нэхъей. Зыхэзмыха хуэдэу зысщIмэ, бысымым пщIэ хуэзмыщIыу фэ къыстеуэнущ, си нэгу къизгъэщыщэми тIури си хьэтыркIэ зэплъыжын хуей хъунурэ, «хьэщIэ мыгъуэ» жыхуаIэр аракъэ итIанэ? Игу зыгъэзэгъэн хуэдиз пщIэ унагъуэм къыщыхуащIыным и гугъэ хэзыхыжа ЛIытынш и Iупэхэр зэрызэтемыжрейм уи фIэщ ищIт ар а бзэм зэресэжар. Зэщхьэгъусэхэм я гукъанэхэр щызэхуахьэс я къэп зырызри Iэгъуэу къабгъэдэтт. Ауэ а тIур кууIуэу зэрызэсари нэрылъагъут. Зэгуэр хьэжыщIхэр къызэкIуэлIэж мафIэгу тедзапIэм деж щыт Гуащэ си нэр техуауэ зэрыщытар къызощIэж. Къригъэблэгъэж’Iа къыщIэкIынти, зэрымыщIэкIэ автобусым и къэувыIэгъуэр абы и пащхьэ нэхум хуэзат. Гу лъыстат Гуащэ а гупым и унафэщI балъкъэр щIалэм, автобусым къиувыкIыпIэ иримыту, «шыпхъу хуэдэ» IэплIэ зэрыришэкIам. Джафэу зэщIэупса ЛIытыншрэ абы и пащхьэм щхьэпцIэу ис сэрэ сытым дрищIыст илъэс къэс Чэбэм Iуплъэ лIы ахъырзэманым елъытауэ?! «Уэ сэ слъагъур укъэгушхуэжай!» - жриIэ хуэдэт сыбэлэрыгъыу цIыхушхуэу къысщыхъункIэи хъуну и лIым. ФIым хуэпIащIэ щIалэ гуэр, мазищкIэ нэщI иса нэужь, и ущиякIуэм деж кIуэуэ ар щыжриIэм: «Хъарзынэщ, хьэщIэ езыгъэблэгъам и псапэ къэблэжьащ», - къыжриIат жи. Зи Iэнэгу зэIуха, зэрафIэщкIэ захуагъэм хуеIэ си бысымхэми къалэжьат ар. Нэгэгъур прунжкIэ якудэжу щIэщхъу зэрагъэзэкIуэжам ещхьу, Гуащэ зыщIыпIэ деж зэрыблэIэбыкIар зэрызэхищIэу, Iуэхур зэригъэзэкIуэжын амалми зэрытеIэбэнум шэч хэлътэкъым. Ауэ хэтыт абы и гурыгъуазэ лъэпэрэпар асыхьэтым зыузэхужыфынур чэнджэщ къезытыфыну закъуэм езыр ебгъэрыкIуэмэ?! ГъэщIэгъуэныщэр ЛIытыншт. Куэд щIауэ зэпамыуду ямыгъэпсэлъа, зи гур къызэрыгъуэтыжагъащIэ цIыху губзыгъэр иджы зэ ещхьэфэуэгъуэкIэ пхуикIуэтыжынутэкъым, къэгубжь зищIуи узыIэщIигъэкIынутэкъым. Гуащэ и губгъэныр джэдыкIэ зытехуа бгыуэ зэхимыщIэу, ар мащIэу пыгуфIыкIри: «Мыр сабийхэм яхэтурэ сэри сабийуэ сыкъыщыхъуу хъуащ», - жиIащ. Зи чэзур Гуащэт. Псым хуэзэша бдзэжьейуэ, зигу из лIы махуэ къэс Iумыплъэ бзылъхугъэ Iущым гушыIэр иригъэхам и закъуэкъым, игъуэ зэфэзэщу уэршэрым къыхэувэжри зэщхьэгъуситIыр сеплъурэ унагъуэ зэрыгъэхъужащ. ИлъэсыщIэм гъэгъа ажэгъуэмэм и гъатхэм ещхьт а тIум иджы къызащIэкIыр. ЖаIэри зэтохуэ, зым къыщIидзэр адрейм негъэс, я деж жэщым сыкъэнами сыщагъэIэну къыщIэкIынт, IиплIкIэ кърагъэкI я гъащIэ пшыналъэм сыщIагъэдэIуу. Сытыт къэхъуар? ЛIыр жьантIэм дэтIысхьэжау аркъудейт? Хьэмэ лIым жьантIэр иIыгъыххэу зэрыщытым, иIыгъын зэрыхуейм унэгуащэр къеувэлIау арат? КъеувэлIэныр езым къыщIемыхъулIэн гуэр къефыкIмэ, ар чачэу къегъэувэлIэнра «жьантIэ Iыгъын» жыхуаIэжыр? Арауэ щытмэ, сыт и пщIэ, сыти и дахагъ а жьантIэми, а къебгъэувэлIами, а къеувэлIэкIэми?.. Мыпхуэдэ псалъэхэр псори щылейт абдежым. Зэгуэр зэрыгъэбэлэрыгъаитIым зыкъащIэжауэ, я нэ къэплъэжауэ арат. Къапщтэмэ, IэпкълъэпкъкIэ армырми дэст цIыхухъур жьантIэм, ауэ, пщыгъуэр зыхуэзымыгъэфащэ пщы нэхъей, къалэнымрэ амалымрэ хузэмыгъэуIуурэ, и щхьэмрэ и щхьэгъусэмрэ я зэхуакум дэгъуэщыхьат лажьэ зимыIэ лIыр. Унэри, унагъуэри, гъащIэри, дунейри фIыуэ зылъагъу ЛIытынш къызэфIэнэщ, теужщ, итIанэ къыщIэщыжа и гур ипIэ иувэжри, адрейр, а цIыкIу хъуау бэлэрыгъау щытар Iэнэм къытенат, хьэкъущыкъум дэщIыгъуу щыIуахыжынум пэплъэу. ЗэрымыщIэкIэ цIыхубзыр зыхуэныкъуэ дыдэр а теплъэгъуэрауэ къыщIэкIри… псори тхъэрэ псэууэ къэнэжащ. «Иджыри къакIуэ, мыстхэм уатетхыхьын хуей хъумэ, сэ куэд бжесIэжыфынущ», - жиIэт бзылъхугъэ гуапэм, гулъытэншэу къэдгъэна апельсинхэмрэ мыIэрысэхэмрэ схузэрилъхьэурэ. СримыгъэIусэу си джэдыгур къысхуфIэзыхыж ЛIытынши нэ къудейкIэ, Гуащэ и бзэрабзэкIэм екIупсу, пыгуфIыкIт. Сэри псынщIэу сыщIэкIыжщ, ахэр хьэщIэщым щIэмыхьэж щIыкIэ, я шордакъымкIэ сыкъыдэпкIейри, я гукъанэхэр зэрылъ къэпитIыр сIэщIэлъу сыщIэпхъуэжащ. Сыт зэращIынур? [1] «Декабрист» - пащтыхьыр традзыну зэрыхэтам папщIэ, тезыркIэ щIыпIэ пхыдза ягъэIэпхъуа урыс офицер. Щхьэгъусэм и хьэтыркIэ тыншыгъуэр зэзынэкI бзылъхугъэхэм «декабрист щуIэгъэ» хужаIэ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "unagua.txt" }
Гугъуэт Заремэ Нэмэз щыгъэ Си анэшхуэ Мырзэкъан Мэрьян и фэеплъу… Егъажэ нанэ нэмэз щыгъэ, МазэщIэ исщи, тхьэ йолъэIу. Имыхур нанэ и гум гугъэрщ, Сыхьэтым къылъыс гъуэгур екIу. Сыхьэтым ещIэ: жэщ уэздыгъэм И пIалъэр зэкIэ щхьэщыкIынщ. И нэкIум нанэ къощыр жьыгъэ… ПIэ лъапэм нэху сыкъыщекIынщ. Зэгуэрым уафэм щабзыщIахэм ХищIыкIыу нанэ сэ къысфIощI. ГуфIэгъуэу, гуауэу илъэгъуахэр И нэкIу лэдэххэм, мис, къыхощ. Егъажэ нанэ нэмэз щыгъэ, И бынхэм я цIэр и бзэм пылъщ. «Мо уафэм,- жи,- къеха фIыцIагъэр Ди гущIэм илъщ, ар ди псэм хэлъщ»… Согъажэ, нанэ нэмэз щыгъэу ПIэ лъапэм къысхутыринар. Сэ сфIощIыр уафэм жэщ уэздыгъэр Си нанэм щыхупагъэна. 23.02.20I5.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "usahar.txt" }
Iууэйси * * * ЗэрыгъэфIэным узу хузепхьахэм уахоплъэ кIыхьу Уэ узылъыхъуэ щэхур гупсэхугъуэ щыхъужыр усэрщ. Гур умыгъэгъут, си Iэпкълъэпкъ, - уи лъапсэм и тепщэ закъуэр Хахуэм и дежкIэ зыри щIэхъумакъым, хуэхьынущ сытри. Гъуэгу пхэнжкIэ псалъэм иунэтIмэ, пэжырщ ямыгъэпэжыр Бэлыхьым IэщIэкIам еупщIи къащIэ бзэм къимыIуатэр. НысащIэм хуэдэу щтэIэщтаблэщ гуауэр - зызгъэпсэхужкъым Налмэсу си бзэ IэфIым и аркъэнщи сошэщI щIагъыбзэр. Зигу иудам и фIэщ сыт пхуэщIыжынур - си хамэщ цIыхухэр Iэпхлъэпхыу гъуэгу техьам сыт и бэкъуэкIэ - солъэпэрапэ. Тхыгъэр соух нэсащи едзыгъуиблыр, ныбжьэгъуу сиIэ, ГугъапIэу къысхуэнэжыр уи сатырхэу гу къабзэ тыгъэрщ. Хьиса къэпсалъэ гущэмэ, Iууэйси къэтэджыжынут уи усэхэм фIэкIа ар гъащIэщIэкIэ зыщыгугъIакъым. * * * Ихъуреягъыр итхьэкъуныр а зи гур мывэм и кIэнджэгущ ЗыхищIэм делэ ихъукIыныр сигу мызэгъэжым и кIэнджэгущ. Дэтхэнэ зыри еIубынущ кIэух зимыIэжыну гъащIэм Абдеж уи псапэр пхуримыкъуу утыку къинэныр мыкIэнджэгу. ГъащIэм и уасэр зыгурыIуэм налкъутналмэсу ихъумэнти Налкъутналмэсым хуэдэу нэпсхэр егъэжэхыныр си кIэнджэгущ. МымелыIычу пIэрэ згъафIэр, е цIыху, хьэмэ нэщыпхъуэзехьэ ПщылI пэжхэм ягу ириджэгуныр сыт щыгъуи хъанхэм я кIэнджэгущ. Уа Iууэйси! Уи гум и щэхухэр уэ хуумыIуатэ фIыуэ плъагъум УхьэщIэм – хьэщIэу щыт, ар гугъукъым, узэрытеун кIэнджэгущ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "uzbek-usyg.txt" }
Фырэ Анфисэ ЦIыху Iэпкълъэпкъым и щэхухэр ЦIыху Iэпкълъэпкъым нэхъ телъыджэ щIыуэпсым къигъэщIакъым. Абы и лъынтхуэ километр бжыгъэхэр зэхэмызэрыхьу зэрылажьэр, псантхуэхэм къалэну ягъэзащIэр, лъым зэрызигъэкъэбзэжымрэ вирусхэм зэрезауэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхум и щхьэкуцIым ихъумэф информацэм хуэдиз зезыгъакIуэ компьютер нобэр къыздэсым къызэрамыгъэщIыфари. ЩхьэкIуцIым и зэфIэкI псом щыщу проценти 5 фIэкI цIыхум къызэримыгъэсэбэпыр къэплъытэмэ, ущIоупщIэ: сыт хуэдизт цIыхум лъэкIынур, абы и щхьэр проценти 100-кIэ лажьэу щытатэмэ? Iэпкълъэпкъым пкъыгъуэу пкъырылъым къалэн щхьэхуэ ягъэзащIэ. Абыхэм языхэзым ныкъусаныгъэ къылъыкъуэкIмэ, ар Iэпкълъэпкъ псом йофыкI, цIыхур сымаджэ мэхъу. ЦIыху Iэпкълъэпкъым и зыхэлъыкIэр сыт хуэдизу гугъуу щымытами, ар къызытехъукIыжыр зы налъэ (клеткэ) закъуэщ — яйцеклеткэм. Яйцеклеткэм и кугъуэм щызэхуэхуса информацэращ зыхуэныкъуэр, микроскопкIэ фIэкIа кьыпхуэмылъагъу зы налъэ цIыкIум цIыху хьэзыр къыхэхъукIын папщIэ. ЦIыхубзым зэрыуэндэгъур иджыри къимыщIэ щIыкIэ, махуэ 31 — 32 фIэкI иримыкъуа ныбэрылъым и псантхуэр хьэзыр мэхъу, и щхьэкуцIым лэжьэн щIедзэ. Абдеж щыщIэдзауэ, цIыхур дунейм ехыжыху, сыт ищIэми, сыт жиIэми, Iэпкълъэпкъыр зезыгъакIуэри, узыр зыхезыгъащIэри, зыгъэбауэри, зыгъэпсэури и щхьэкуцIыр аращ. Анатомием щхьэхуэ-щхьэхуэу едж Iэпкълъэпкъыр: къупщхьэлъапщхьэр, псантхуэр, лъынтхуэр, ныбэм илъ пыкъыгъуэхэр, лым я ухуэкIэр. Дэри абыхэм зэхэгъэщхьэхукIауэ дриплъэнщ. Къупщхьэлъапщхьэм и зэхэлъыкIэр ЦIыхум и къупщхьэлъапщхьэм лыри, щIыфэри, лъынтхуэхэри ешэкIащ, абы Iэпкълъэпкъыр захуэу еIыгъ, зэрегъакIуэ икIи кIуэцIфэцIым и «хъумакIуэщ». Сабий къалъхуагъащIэм къупщхьэ 270-рэ иIэщ, ауэ цIыхур балигъыпIэ щиувэм ирихьэлIэу и къупщхьэлъапщхьэр пкъыгъуэ 205 — 207-рэ ирикъужу аращ — языныкъуэ къупщхьэхэр зэпокIэж. Псалъэм папщIэ, щхьэ къупщхьэр, шхужьыр, тхым щыщ IупщIэ зыбжанэ, нэгъуэщIхэри. Къупщхьэхэр псори хуэрэ псантхуэкIэ зэпыщIауэ зэрощIэ. ГъэщIэгъуэныракъэ, щхьэ къупщхьэр пкъыгъуэ 23-уэ зэпкърылъщ, тхыр — 32 — 34-уэ, дзажэмрэ бгъэгумрэ — 25-уэ, Iэр — 64-уэ, лъакъуэр — 62-уэ. Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, къупщхьэхэр налъэ-налъэу зэпкъ-рылъщ, я зэхуакум дэт ткIуаткIуэм зригъэбыдылIэу. Къупщхьэм йокIуалIэ эндост, хъыщт, лъынтхуэ, псантхуэ, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу, къупщхьэ гъуанэхэм илъщ лъыр къэзыгъэщIыж куцIыр. А псори зэуIу хъумэщ, къупщхьэм и къалэныр щигъэзащIэр. КъищынэмыщIауэ, къупщхьэм хэлъщ Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ шыгъу зэмылIэужьыгъуэхэр: кальций, калий, натрий, нэгъуэщIхэри. Къупщхьэлъапщхьэм хеубыдэ щхьэ къупщхьэр, тхыр (мыр Iыхьэ-Iыхьэу егуэшыж: пщэгурыгъ, пщэ тхыIупщIиблыр, бгъэ тхыIупщIэ 12-р, бгы тхыIупщIитхур, кIэпкъ тхыIупщIитхур, кIапцIэ тхыIупщIиплIыр), дамэр, шхулъэр, блэгъукIэр, блыпкъыр, IэфракIэр, IэфракIэщIагъыр, Iэпщэ зэрытыпIэр, Iэпхъуамбэ къупщхьэхэр, Iэгу къупщхьэхэр, дзажэхэр, шхужьыр, куэпкъыр, гъуэбзиикIэр, гъуэбзиикIэ щIагъыр, лъэтхьэмпэр. ЦIыхум и къупщхьэлъапщхьэм хьэлъэшхуэ хуэшэчыну, лъагэ гуэрым къелъэмэ, мыкъутэну быдэу къигъэщIащ. Псалъэм папщIэ, куэпкъым и зы сантиметр зэбгъузэнатIэм хуэзэу тонн 58-рэ ешэч! Абы къыдэкIуэу, Iэпкълъэпкъым къупщхьэу илъым и хьэлъагъыр килограмми 9 ирикъуу аращ. Къыхэгъэщыпхъэщ ныбэрылъыр мазищ щрикъум ирихьэлIэу ищхьэIуэкIэ дызытепсэлъыхьа къупщхьэ 270-р зэриIэр. Къупщхьэ нэхъ ин дыдэу Iэпкълъэпкъым илъыр куэпкъыращ (сантиметр 37 — 45-рэ и кIыхьагъщ), нэхъ цIыкIу дыдэхэр (сантиметр 0,5 мэхъу дэтхэнэри) тхьэкIумэкIуэцIым илъщ, тхьэкIумэIупсым и щIыбагъ къыдэлъыу. ЦIыхум и лъагагъыр зэлъытар и къупщхьэхэм я инагъ-цIыкIуагъращ. Ауэ ар лъагэ хъунуми, цIыкIуу къэнэнуми зэпхыжар Iэпкълъэпкъым къыщекIуэкI химическэ реакцэхэмрэ гормонхэмрэщ. Гормонхэр къыщыунэхуж эндокриннэ системэр тэмэму мылажьэмэ, цIыхур къэзылъхуа адэ-анэм я теплъэм емылъытауэ, е лъагэIуэу, е цIыкIущэу къэнэнкIэ хъунущ. Нобэр къыздэсым цIыху нэхъ лъагэ дыдэу къалъытэр США-м хиубыдэ Иллинойс штатым 1918 гъэм къыщалъхуа Першинг Уодлоу Робертщ. Абы и ныбжьыр илъэс 22-рэ щрикъум ирихьэлIэу мет-ри 2-рэ сантиметр 74-рэ и лъагагът. Дунейм тета «цIыкIужьейхэм» я нэхъ лъахъшэ дыдэр 1863 — 1889 гъэхэм псэуа, Мексикэм щыщ Зарате Лючиещ. Пщащэр илъэс 17 щри-къуам килограмми 2,9-рэ хъурт, сантиметр 66-рэ и лъагагът. ЗэрыжаIэмкIэ, хъыджэбзыр илъэс 20 щрикъум ирихьэлIэу нэхъ пшэр хъуат — килограмми 5,9-рэ ирикъуат. КIуэцIыр зэрыузым, щIыфэр къызэрилъэлъым хуэдэу, ди къупщхьэхэри «сымаджэ» мэхъу зыхуэныкъуэ витаминхэмрэ химие пкъыгъуэхэмрэ ямыгъуэтмэ. Псалъэм папщIэ, джэдыкIэ кугъуэ, шэ, дыгъэпсыр къызэмэщIэкI цIыхум витамин D хуэчэмщи, и къупщхьэхэр махэ, къуаншэ мэхъу, къопщIантIэ, армырми къемэщIэкI кальцийр Iэпкълъэпкъым кърелъэсыкI. Нэхъапэм рахитыр (аращ зэреджэр а узым) узыфэ мыхъужу къалъытэрт, ауэ ар къызыхэкIыр къахута нэужь, зэфыкIхэми я бжыгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Щхьэ къупщхьэр, зэрыжытIащи, нэхъапэIуэкIэ зыбжанэу зэхэлъауэ, зэгуэкIэжа къупщхьэщ. Аращи, къыхагъэщхьэхукI щхьэкупцIапцIэ къупщхьэр, натIэ къупщхьэр, нэзэрыхъэр, нэпкъыр, нэжьгъыр, жьэ пхъэбгъур, жьэпкъыр. КIэщIу жыпIэмэ, цIыху щхьэ къупщхьэр Iыхьэ 28-уэ зэхэлъщ икIи абыхэм я зэпылъыпIэхэр IэпхъуамбэкIэ къыпхуэгъуэтынущ, утеIэбэмэ. Щхьэм дыркъуэ игъуэтыныр псом нэхърэ нэхъ шынагъуэщ, сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъ псор зезыгъэкIуэж, псантхуэхэр зэкIуэлIэж щхьэкуцIыр абы илъщ. Ауэ щхьэ къупщхьэм иIэщ зэфIэкI телъыджэ, цIыхур щхьэкIэ техуа нэужь, зэрытехуа щIыпIэм хэлъ къупщхьэм удыныр щабэ ищIыфу, адрей къупщхьэхэм лъимыгъэIэсу, я зэпылъыпIэм деж къыщызэтригъэувыIэу. Щхьэ къупщ-хьэр зы къупщхьэ хъурей закъуэу щытатэмэ, джэдыкIэр зэрыкъутэм хуэдэу, зэгуэпкIы-нут. Футбол, бокс, зэбэнхэм деплъыну тфIэфIщ, езы спортсменхэми я гъащIэр нэгъуэщIу я нэгу къахущIэгъэхьэркъым. Арами, ахэр щыгъуазэщ я IэщIагъэм фIы къызэрыпэмыкIуэнур, я щхьэм игъуэт дыркъуэм, гува-щIэхами, зыкъызэрыригъэщIэнур. Спортсменхэр щхьэкIэ техуа нэужь, чэф яIэм хуэдэу, къапсэлъыр зэхэщIыкIыгъуейуэ, псори яфIызэхэзэрыхьу мэхъу. Нэхъ гъэщIэгъуэныжу зэхэлъщ цIыхум и тхыр. Тхыр къупщхьэ 33-рэ ирокъу. Абыхэм зэреджэр тхыIупщIэщ. Щхьэ къупщхьэ лъабжьэм къыкIэщIэт тхыIупщIитIыр — пщэгурыгъыр — адрейхэм ещхькъым. Япэм зэреджэр атлантщ. Абы щхьэр зэриIыгъым къыхэкIыу, пасэрей цIыхушхуэхэм я цIэр фIащащ. ЕтIуанэм щхьэмрэ пщэмрэ зэпещIэ икIи цIыхум и щхьэр зэригъэкIэрэхъуэфыр, зэригъэсысыфыр абы и фIыгъэщ. ТхыцIэм къыхокI бгъэм илъ пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр (тхьэмбылымрэ гумрэ) зыхъумэ дзажэхэр. АдэкIэ, цIыхур зезыгъакIуэ шхужьымрэ куэпкъымрэ тхыцIэм и лъабжьэм къыпоувэ. Языныкъуэ цIыхухэм я тхыцIэр апхуэдизкIэ лантIэщи, щIыбкIэ зрагъэзыхыурэ, я щхьэр я лъакъуэ зэхуакумкIэ къыдагъэплъыжыф, тхыцIэм зыкIи зэран хуэмыхъуу. Къыхэгъэщыпхъэщи, дэтхэнэ зыми хузэфIэкIынущ ар, цIыкIу щIыкIэ щIадзэу хурагъэсамэ. Апхуэдэ зыгъэзэкIэм ухуэмыхьэзыру зупщытмэ, уи тхыр зэпищIыкIынурэ Iэрызехьэу укъэнэнущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тхыцIэм и кIыхьагъкIэ зыщызыукъуэдия куцIым игъуэта дыркъуэр пхуэгъэзэкIуэжынукъым, ныкъуэдыкъуэ хъуами и Iэпкълъэпкъыр зыхимыщIэжу, IэкIэ зэрахьэу псэунущ. ТIурытIурэ 12 мэхъу цIыхум и дзажэхэр. Ахэр псори бгъэгум деж щызэхохьэж, и лъабжьэ дыдэм къыкIэщIэтым къищынэмыщIауэ. Абы къыхэкIыу, а тIум дзажэнэпцIкIэ йоджэ. ЦIыхур щыбауэкIэ дзажэхэри мэ-хъей. Анатомием IупщIу зэхегъэщхьэхукI цIыхухъу шхужьымрэ цIыхубз шхужьымрэ. ЦIыхубзыр лъхуэным къызэрыхуигъэщIам къыхэкIыу, и шхужь къупщхьэр нэхъ бгъуэщ, щабэщ, сабийм и щхьэр хуиту къикIыфын хуэдэу. ЦIыхухъум и шхужьыр нэхъ Iузэщ, къупщхьэри нэхъ быдэщ. Ауэ, сыт хуэдизу къупщхьэр быдэу щытми, дыркъуэшхуэ ягъуэта нэужь, ахэр мэкъутэ. Апхуэдэхэм деж къупщхьэ къутар гипскIэ зэщIашхэри зэпокIэж. Ауэ ар сэбэп щымыхъуи щыIэщ. ИтIанэ дохутырхэм лыр зэгуагъэжри, къупщхьэр зэхуахьэсыж, шурупрэ пластинэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэрагъэубыдыж икIи, гъэщIэгъуэныракIэ, зэпокIэж. ЛыпцIэм и ухуэкIэр Пэжщ, Iэпкълъэпкъыр зыIыгъыр къупщхьэращ, ауэ ар езыр-езыру зэфIэтыфынутэкъым лыпцIэ ешэкIауэ, хуэмрэ псантхуэхэмрэ къупщхьэр ямыунэтIу щытатэмэ. Къупщхьэхэми хуэдэу, лыпцIэри Iыхьэ-Iыхьэу зэхедз, икIи абыхэм я бжыгъэр 600-м щхьэпрокI. Языныкъуэ лыпцIэхэм (псалъэм папщIэ, Iэпщэм е куэм) я лэжьэкIэр тлъагъуу, зыхэтщIэу щытми, дызэриIэр дымыщIэххэу лыпцIэ куэд дыдэ кIуэцIми илъщ. Апхуэдэу, лыпцIэ щхьэхуэщ гури, лъатэри, бгъэмрэ ныбэмрэ я зэхуаку дэлъ, цIыхум и тхьэмбылыр зыгъэлажьэ диафрагмэри, нэгъуэщIхэри. ЛыпцIэр налъэ кIыхьурэ зэхэлъщ, языныкъуэхэр къупщхьэм ешэкIыпащ, адрейхэр хуэкIэ къупщхьэм епхащ. ЦIыхум нэхъыбэрэ къигъэсэбэп лыпцIэхэр нэхъ ин мэхъу. Псалъэм папщIэ, къыщикIухькIэ и лъэнкIапIэм, куэм, пхэщIыщхьэм нэхъ трекъузэри, ахэр нэхъ инщ. Апхуэдэщ Iуэху щищIэкIэ, щыIэбэкIэ къигъэсэбэп Iэпщэри. ЦIыхум и хьэлъагъым и Iыхьэ щанэр зыубыдыр дызытепсэлъыхь лыпцIэхэращ. Къупщхьэхэми хуэдэу, лыпцIэ Iыхьэ къэс къалэн щхьэхуэ егъэзащIэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, нэщIащэм къекIуэкI лыпцIэм напIэр зэтрепIэ, зэтрехыж, натIэм телъым уи напщIэр дрешей, Iэпщэм телъым IэфракIэ къупщхьэр егъэлажьэ, ныбэм телъ лыпцIэм цIыхум и пкъым зэрегъэгъазэ, куафэм телъым лэгуажьэр зэфIегъауэ, гъуэбзиикIэм телъым лъэтхьэмпэр зэрегъакIуэ, лъэнкIапIэм лъэдакъэр къеIэт, пщэм хэлъым щхьэр егъэкIэрахъуэ. Спортым хэтхэм нэхъыбэрэ ягъэлажьэ лыпцIэм елъытауэ я теплъэми зехъуэж. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лыпцIэм къалэнышхуэ егъэзащIэ. Абы и мыхьэнэр нахуэ тщыхъун папщIэ, мыпхуэдэ щапхъэ къэтхьынщ. ЦIыхур лъагэ гуэрым къехуэхрэ и тхыцIэр зэтрихуарэ, сэ хигъэIэбэну хуэмеймэ, тхыцIэ ехым и бгъуитIымкIэ къепха лыпцIэр игъэлажьэурэ, ткIий ищIа нэужь, тхыцIэ зэтекIар абы и пIэм ирегъэувэж. Абы зэреджэр «лыпцIэ куэншыбэщ». ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым лыпцIэ нэхъ ин дыдэу илъыр и пхэщIыщхьэрщ, нэхъ лъэ-щыр и гур аращ. Дэтхэнэми ицIыхуу къыщIэкIынущ хуэш жыхуаIэр. ЦIыхум куэдрэ Iуэху ищIэмэ е спортым зыдригъэхьэхрэ лыпцIэр зэпымы-чу лажьэмэ, ар ешэщIри, зыри сэбэп мы- хъуу, лыпцIэр къимыутIыпщыжу щIешэ. Абы зэреджэр хуэшщ. Апхуэдэхэм деж щIиша лыпцIэм хуэзэу мастэ хаIури, псынщIэу къеутIыпщыж. Лъынтхуэхэм я лэжьэкIэр Iэпкълъэпкъым апхуэдизкIэ лъынтхуэ куэд хэлъщи, ахэр псори зэпыпщIэрэ къыупщатэмэ, и кIыхьагъыр километр 96500-рэ ирикъунут. Ар ЩIы экваторым и кIыхьагъым нэхърэ тIукIэ нэхъыбэщ! ЦIыхум лъыуэ щIэтым — литри 5 — зы дакъикъэм къриубыдэу Iэпкълъэпкъыр къызэхекIухь, гум кърихуэкIыурэ. Гум къикIа нэужь, лъыр лъынтхуэшхуэхэм ирожэ зы меданым сантиметр 40 икIуу. Лъэпхъуамбэхэмрэ Iэпхъуамбэхэмрэ хэлъ лъынтхуэ псыгъуэ цIыкIухэм къыщысым ирихьэлIэу сантиметр 0,05-рэ меданым къичу нэхъ хуэм зещI лъым. Лъым къыщикIухькIэ лъынтхуэм зэрытрикъузэм давленэкIэ йоджэ. Псыр зэрызекIуэ бжьамийм и кIуэцIымкIэ къигъэлажьэурэ махэ зэрыхъум, зэрызэгуитхъым хуэдэу, лъыми лъынтхуэхэр егъэлажьэ. Гур псынщIэIуэу къеуэурэ, лъыр уэру кърихуэкIмэ, лъынтхуэхэми къатохьэлъэри, цIыхум и «давленэр докIуей». ЦIыху узыншэм и давленэр, псалъэм папщIэ, 120/80-щ жаIэ. Ар куэдым дощIэ. Ауэ сыт абы къикIыр? 120-р гум лъыр къыщиутIыпщкIэ лъынтхуэм къызэрытехьэлъэращ, 80-р нэщI хъуа гум лъыр зэрилъэдэж къарущ. Лъыр гъэщIэгъуэну зэхэлъщ. Абы хеубыдэ плазмэ, тромбоцит, лейкоцит, эритроцит жыхуэтIэхэр, нэгъуэщIхэри. Лъым и къалэн нэхъыщхьэр — цIыхум шхыным, псым, хьэуам къыхих къарур, къэуатыр, кислородыр Iэпкълъэпкъым лъигъэсынырщ, вирусхэмрэ уз зэмылIэужьыгъуэхэмрэ ебэнынырщ. Хущхъуэншэу зегъэкъэбзэжыф лъым. Апхуэдэу, лейкоцитхэм Iэпкълъэпкъым къеуэлIа узымрэ вирусхэмрэ е «хэлIыкIа» клеткэхэр къаухъуреихьри, «йозауэ, яшх». ИужькIэ ар гъутхьэпсым хэлъу Iэпкълъэпкъым къыпкърокIыж. Апхуэдэхэм деж цIыхур плъыржьэр мэхъу. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, лъыр узым ебэну аращ, температурэр дэкIуеямэ. Лъым и сыт хуэдэ пкъыгъуэми къалэн щхьэхуэ ягъэзащIэ: эритроцитхэм кислородыр кърахьэкI, лейкоцитхэм микробхэмрэ вирусхэмрэ яукI, цIыхум лъы щIэкIмэ, тромбоцитхэр уIэгъэм деж щызэхуосри, лъыр къагъэувыIэ, плазмэм къэуатыр Iэпкълъэпкъым лъегъэIэс. ИкIэм-икIэжым дакъикъитху къэс лъыр жьэжьейхэм ягъэкъэб-зэж. Къапщтэмэ, лъыр куэдрэ псэукъым. Эритроцитхэр мазиплI, тромбоцитхэр махуи 10, лейкоцитхэр махуи 6 — 9 къэс мэкIуэдыж. Дэнэ-тIэ, лъыр къыздикIыр апхуэдэу щыхъукIэ?! НэхъапэIуэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, лъыр къыщыунэхур къупщхьэ гъуанэхэм илъ куцIырщ. Сабий къалъхуагъащIэхэм къупщхьэу хэлъым лъы къабзэ къагъэщI, балигъым и къупщхьэшхуэхэращ лъыр къыщыунэхур. ЦIыхур сымаджэ щыхъуам деж анализ ирагъэт. Абы папщIэ, Iэпэм, Iэблэм лъы къыхаш. Дэ а псори лейуэ къытщохъу, ауэ лъым и зэхэлъыкIэм теухуауэ дохутырым къыхуэхутэнущ сымаджэм къефыкIыр. ЩыIэщ хущхъуэкIэ яхуэмыгъэхъуж узы- фэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэхэм деж цIыхум и лъыр зэрыщыткIэ яхъуэжын хуей мэхъу. ГупиплIу ягуэш лъыр — 1, 2, 3, 4-нэ жиIэу. Языныкъуэ гупхэр зэхозагъэ, языныкъуэхэр къыпхакIэну шынагъуэщ. ЦIыхум емызэгъ гупым щыщ лъы хакIэмэ, лIэнущ. КIуэцIфэцIым и зэхэлъыкIэр Пэ кIуэцIым къыщыщIэдзауэ, куэтэным деж щиухыжу цIыхум пкърылъ пкъыгъуэ- хэм кIуэцIфэцIкIэ уеджэ хъунущ. КъедбжэкIынщ ахэр: бзэгу, пэ кIуэцI, тэмакъ, тэмакъыщIэ, къурмэкъей, тхьэмбыл, гу, бгъэлыцI, ныбэлыцI, тхьэмщIыгъу, шхалъэ, зэз, лъатэщIыб шхынгъэткIу (хьэбзэгупэ), жьэжьейхэр, чэ, гъутхьэпсылъэ, лъхуадэхэр, лъхуалъэ, кIэтIий гъум, кIэтIий псыгъуэ, куэтэн. Машинэм гъэсыныпхъэ имыту зэрызэщIэмынэм хуэдэу, цIыхум и Iэпкълъэпкъыр зекIуэн, лэжьэн папщIэ, шхэн хуейщ. Лъым хуэдэуи, а шхыныр гъэткIуныр, къэуатыр, хьэуар Iэпкълъэпкъым игуэшэнырщ кIуэцIфэцIым и къалэн нэхъыщхьэр. ЦIыхур ерыскъыншэу мазэ, псы емыфэу махуищ псэуфынущ. Ауэ мыбауэу дакъикъэ зыбжанэ хуэшэчынуращ. ЖьэкIэ е пэкIэ цIыхум жьэдишэ хьэуар къурмэкъеймкIэ йохри, бгъэлыцIыр тIууэ щызэхэкIым деж тхьэмбыл ижьымрэ сэмэгумрэ зреугуашэ. Тхьэмбылым хэлъ лъынтхуэ псыгъуэ цIыкIухэм хьэуам кислородыр къыхахри, Iубахъэм щIыгъуу гъуэз хуабэрэ углекислэ газымрэ къыжьэдокIыж. Тхьэмбылымрэ гумрэ адрей пкъыгъуэхэм щыщ зэран къахуэмыхъун, къищынэмыщIауэ, цIыхур щыбауэкIэ къыдэIэпыкъун папщIэ, абыхэм ныбэлыцIыр къыкIэщIэтщ. Дауи, хьэуам сабэ, фIей куэд хэлъщ, ауэ а псори тхьэмбылым нэсыркъым — пэ кIуэцIымрэ тэмакъымрэ щызэхуехьэсри, дыкъыщепскIэ е дыщыпсчэкIэ къытпкъро-кIыж. ЦIыхухэр е псэущхьэхэр ешамэ, зэшмэ, я жеин къакIуэмэ, я бэуэкIэми зехъуэж, нэхъ хуэм зещI. Апхуэдэхэм деж лъым хэт кислородыр нэхъ мащIэ, углекислэ газыр нэхъыбэ мэхъу. Аращи, цIыхур мэхущхьэ — Iэпкълъэпкъым кислородыр куэду лъысын папщIэ. Шхыныр къурмэкъейм еха нэужь, лъатэм (шхалъэм) къыщохутэ. Шхалъэм илъ кислородымрэ ферментхэмрэ ерыскъыр ягъэткIури, кIэтIий псыгъуэмкIэ ягъэкIуатэ. Абдеж белокыр, углеводыр, дагъэр, витаминхэр, шыгъухэр кIэтIийм щызэщIефри, Iэпкълъэпкъым ирегуашэ, лъым хэту. КIэтIийр зэпымычу мэлажьэ. Ауэрэ, «гъэсыныпхъэм» хэт псыр кIэтIий гъумым зыщIеф, абы къыщыхута нэужь. Iэпкълъэпкъыр зыхуеину псори шхыным къыхиха нэужь, къэнэжыр куэтэным йохри, къыдохыж. А Iуэхум къепхащ лъатэщIыб шхынгъэткIури, тхьэмщIыгъури, зэзри. Шхалъэм и щIыбагъ къыдэлъ шхынгъэткIум и фIэщыгъэцIэм къызэригъэлъагъуэщи, и къалэн нэхъыщхьэр шхыныр зыгъэткIу ткIуаткIуэм- рэ инсулинымрэ къигъэщIынырщ. ТхьэмщIыгъум лэжьыгъэшхуэ егъэзащIэ, ауэ абы и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ кIэтIий псыгъуэм къикIыу гум кIуэ лъыр игъэкъэбзэныр. Ерыскъым е псым хэлъу Iэпкълъэпкъым щхъухь лъэIэсамэ, ар къэзыгъэувыIэр тхьэмщIыгъур аращ. КъищынэмыщIауэ, мы пкъыгъуэм щызэхуэхьэсащ витамин куэди. Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ витамин лIэужьыгъуэмрэ бжыгъэмрэ и чэзум къеутIыпщ. Абы къепхащ зэзри — кIэтIий псыгъуэм къыщыхута дагъэр зыгъэткIу ткIуаткIуэр щызэхуэхьэса «чысэр». ЦIыхум и зэзыр кърахми зэранкъым, сыту жыпIэмэ, абы ит ткIуаткIуэр къэзыгъэщIыжыр тхьэмщIыгъур аращ. ЦIыхум и IэштIымым хуэдиз мэхъу и жьэжьейри. Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр — лъыр язу, Iей къыхагъэкъэбзыкIамрэ шыгъумрэ гъутхьэпсым хэлъу цIыхум къыдэгъэхынырщ. Чэр цIыхум и сэмэгурабгъу джабэмкIэ щыIэщ. Ныбэрылъым ар къызэригъэсэбэпымрэ балигъым и Iэпкълъэпкъым щигъэзащIэ къалэнхэмрэ зыкъым. Ныбэрылъым и чэм и къалэн нэхъыщхьэр куцIым щIыгъуу лъы къэгъэщIынырщ. ЦIыху балигъым и чэм лъыр егъэкъабзэ: сэбэп мыхъужыну эритроцитхэмрэ бактериехэмрэ къыхезыкI. Мыбдеж жыIапхъэщ, цIыху балигъым и чэр имыIэжу зэрыпсэуфынур. Абы игъэзащIэу щыта къалэныр занщIэу и пщэ делъхьэ лимфэ системэм. Псантхуэхэм я лэжьэкIэр Iэпкълъэпкъыр зезыгъакIуэ къупщхьэхэмрэ лыпцIэхэмрэ зэпызыщIэжри, цIыхум узыр зыхезыгъащIэри, зыгъэбауэри, зыгъэпсалъэри щхьэкIуцIым екIуэлIэж псантхуэхэращ. Псантхуэхэр пкъыгъуищу зэхэлъщ: щхьэкуцIыр, тхыцIэм илъ куцIыр, Iэпкълъэпкъ псом игуэша къуэпсхэр. Абыхэм я лэжьэкIэр къыбгурыIуэн папщIэ, мыпхуэдэ щапхъэ къэтхьынщ. ЦIыхум топ къыщыхуадзкIэ, ар къызэрылъатэм, къыщысыну зэманым, къызэрыбубыдыну щIыкIэм егупсысыну зэман иIэкъым. Аращи, нэм топыр къилъэгъуа нэужь, псантхуэхэм щхьэкуцIым хъыбар ирагъащIэ ар къызэрылъатэмкIэ. ЩхьэкуцIым лыпцIэхэм унафэ къахуещI топыр Iэм къригъэубыдыну, е цIыхур IуигъэкIуэтыну, е топым еуэжыну. Ар цIыхум къыдалъхуа зэфIэкIщ. Языныкъуэхэр щIоупщIэ: «Щхьэуз хущхъуэ уефа нэужь, дауэ абы узыр зэригъэувыIэр, узыр здэщыIэр къызэрищIэр?» — жаIэри. Ар къыбгурыIуэн папщIэ, мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ эндокриннэ системэм игъэзащIэ къалэныр. ЦIыхум нэщхъеягъуэ е гуфIэгъуэ гуэр щилъэгъуакIэ, зыгъэгуфIэри, зыгъэнэщхъейри, зыгъэгушхуэри, и гур хэзыгъэщIри, кIэщIу жыпIэмэ и гурыщIэхэмкIэ жэуап зыхьыр эндокриннэ системэращ. Аращ икIи зыгуэр зэрыузыр псантхуэхэм къезыгъащIэр. Щхьэр щыузым деж Iэпкълъэпкъым и эндокриннэ системэм гормон къегъэщI. А гормоныр псантхуэхэм лъоIэс-ри, щхьэкуцIым хъыбар ирегъащIэ Iэпкълъэпкъым ныкъусаныгъэ зэрыщыIэр, зыгуэр зэрыузымкIэ. Щхьэуз хущхъуэм хэлъщ дызытепсэлъыхь «хъыбарегъащIэ» гормоныр зыгъэужьых пкъыгъуэ. А гормонхэр мыхъуатэмэ, узыр зэи зыхэтщIэнутэкъым. ЦIыхум и гур къэувыIа нэужь, ар лIауэ ябж. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ, цIыхум и гур къэувыIа нэужь, щхьэкуцIыр иджыри сыхьэт бжыгъэкIэ зэрыпсэуфынур. Абы къыхэкIыу, дохутырхэм цIыхур лIауэ къыщалъытэр и щхьэкуцIым импульс къимытыжмэщ. ЦIыхур щхьэ лIэрэ? Узыр е жьыгъэр къызытекIуа цIыхум и Iэпкълъэпкъыр махэ мэхъу: кислородыр лъымрэ щхьэкуцIымрэ нэзыгъэс пкъыгъуэхэр я къалэным пэлъэщыжыркъым, абы къыхэкIыу лъыр хуэм мэхъу, зыхуэгъэкъэбзэжыркъым. КъыкIэлъыкIуэу Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъ налъэхэр хуэм-хуэмурэ «малIэри», цIыхур къарууншэ мэхъу, и Iэпкълъэпкъым илъ пкъыгъуэхэр чэзу-чэзукIэ, иужьу и гумрэ щхьэкуцIымрэ къызэтоувыIэ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, щIым хэлъ, Менделеевым и таблицэм ит элементхэр зы къэмынэу цIыху Iэпкълъэпкъым, куэдми-мащIэми, пкъырылъщ. Ар и щыхьэту къыщIэкIынщ цIыхур щIым, щIыуэпсым къызэрыхэкIам. Ауэ нэгъуэщIу укъеплъ хъунущ а къэхутэныгъэм… ЦIыхум и тхыдэр илъэс мелуан бжыгъэ ирокъу, а зэманми къриубыдэу хьэдэ мелард бжыгъэхэри щIым щIалъхьэжащ. ГъэщIэгъуэну пIэрэ-тIэ щIым щIэкIуэдыхьыжахэм къащIэна сабэм химие пкъыгъуэхэр къызэрыхагъуатэр?! Абы къигъэлъагъуэр щIым щIэлъыр зэрынэхъыбэр ар къудейщ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "uzinshaga.txt" }
Сэ уэ фIыуэ узолъагъу, уэри фIыуэ сыкъэлъагъу Зыгуэрым емыгуэкIуэфын хуэдизу нэджэIуджэ цIыхуи, хуэфэщэн щIэджыкIакIуэ имыгъуэтыжын хуэдизу купщIэншэ тхыгъи щыIэкъым. Чехов Антон ЦIыхухэр мамыру, зым адрейм щIыдэплъеин щхьэусыгъуэ игъуэту зэдэпсэун папщIэ, Iэмэпсымэ зыбжанэ щыIэщ. Абыхэм язщ бзэр. Къэралыгъуэ Iуэхуи, тхыдэ гукъеуи, утыку зэпеуи Iуэхум къыхэмыхьэу, бзэр бзэ къудейуэ, цIыхум зэрызихъумэж, и зэхэщIыкIым зэрызригъэужь Iэмал къабзэу къапщтэмэ, ар зыхуей хуэзауэ къыумыгъэщхьэпэныр, ар зэбгъэхъулIэным уемылIэлIэныр щыуагъэу, уеблэмэ щхьэемыгугъуныгъэу къалъытэ. «ПсэлъэкIэмыщIэ, псалъэшхуэжыIэ» хуэдэ гъэсэныгъэ нэмыщIысам и нэщэнэу бзэм узыщрихьэлIэ жыIэгъуэхэми цIыхур адыгэбзэ дахэм иригъэхъуапсэу, абы хуэшэрыуэ зищIыным тригъэгушхуэу щытщ. Хъыбар зэIэпыхыпIэ IэмалыщIэхэм уэру зэрызаубгъурэ, бзэм и мыхьэнэр нэхъ иныж хъуащ, псом хуэмыдэу тхыбзэм ейр. Сыту жыпIэмэ, иджы къалэмыр, е абы и пIэ къиува компьютер-телефон хьэрфылъэхэр зи мыIэпэгъу гъуэтыгъуейщ. ЦIыхум бзэ нэхъыбэ хуэгъэшэрыуэху, лэжьыгъэми щIэныгъэми, гъащIэми дунейми нэхъ тыншу зэрыхэгъуэзэфынур гурыIуэгъуэщ. Урысыбзэр щыкъэралыбзэ пажэ хэгъэгу дыщыщыпсэукIэ, жыжьэуи гъунэгъууи димыбзэгъу щIыналъэхэм дыкъыщаухъуреихькIэ, шэч хэлъкъым бзэ лей зэрыщымыIэм, пхузэгъащIэм хуэдиз зэбгъэщIэнри зэрынэхъыфIым. ИтIани, ерыскъы шыугъэр шыгъум зэрызэримыгъэзэхуэжым ещхьу, мыIэмалыншэу хамэбзэхэмкIэ щедгъэлей щыIэщ, адыгэбзэм тхутешэжамэ, дызэлIалIэ псори нэхъ тыншу къыдэхъулIэну. Адыгэм и гурылъ къэIуэтэкIэр здынэсаишхуэ щыIэкъым жытIэмэ, къытхуадэнкъым. Ауэ дэр-дэру зыдвгъэумысыжи, пхъашафэ зытедгъэуэну щхьэ нэхъ тфIэтынш, щабафэ зытедгъэуэн нэхърэ? ДевгъэдаIуэт ди уэрэдхэм, девгъаджэт ди усэхэм. КIуэдыжынкIэ дызыхуэмыгузавэу диIэ щэнхабзэ къудамэ закъуэр - лъагъуныгъэ уэрэдхэр - щапхъэу къэтщтэнщи, зэхэзыхым дыщымысхьу щедгъэлейм дежи, дгъэлъапIэ цIыхур зэрыдгъэщIэращIэ псалъэхэм гум нэмысу къагъэзэж. Сызэджэм «уэ» цIэпапщIэр зэрыхэт къудейм щхьэкIэ, гухэлъ усэ фIэсщын хуеймэ, сыт абы химыубыдэжыр? Бысымым и жагъуэ имыщIын щхьэкIэ, Iэнэм къыхутрагъэувэ псори щхьэхуимыту езыкъух хьэщIэм ещхьщ нобэрей щIэджыкIакIуэр. Бзылъхугъэ усэхэр нэхъыбэщ, зэ IуплъэгъуэкIэ. Ауэ ахэр бзылъхугъэ зыхэщIэкIэ къэзыIуатэ тхыгъэу щыщытыр закъуэтIакъуэххэрэщ. «Мыбы «уэ» гуэр и нэгум щIэтщ», - аращ уигу къагъэкIыр - Мэлбахъуэ Тимборэ и псалъэ шэрыуэкIэ жыпIэмэ - сатыркIэ зэрызэпыудам фIэкIа усэ нэщэнэ зыдумылъагъу а къебжэкIхэм. «Лъагъуныгъэ усэ фIэкIа схуэтхыркъым», - жызыIэ яхэтщ абыхэм. Хъарзынэщ, сыт гур зыIэт, цIыхур цIыху зыщIыж гухэлъ къабзэм усэ тебухуэ щIэмыхъунур? Ауэ зытхам жиIэр еджэм и фIэщ щIэмыхъур сыт? «Адыгэхэм шыIэныгъэ яхэлъщи аращ апхуэдэу щIыщытыр», - жыпIэнщ. Усэм зышыIи зумышыIи жиIэркъым. ЖыпIэну къезэгъымрэ жумыIэу мыхъунумрэ я зэпэшачэщи, «хэди къыхэх» жиIэ къудейщ. «Дэнэ уэрэд къыздисхынур, ар уэ зэрыптеухуар зыми къыгурымыIуэн хуэдэу?», - фщIэжрэ уэрэджыIакIуэ гуэрым жиIэу щыта едзыгъуэр? «Уэ» е «ар» гуэр сатырхэм къызэрыхэзырыхьым цIыхум щабафэ, гу махафэ къытригъэуэн хуей хуэдэу щытщ, ауэ дэ дыбзаджэIуэщи, а усэхэм нэхъыбэм къытхуиджыкIыр зыщ: усакIуэм щIэупщIэ зэриIэр егъэIу. Iуэхур зылъэхъапэр сыт жыпIэмэ, адыгэбзэкIэ дунейм къытехьэ IэдакъэщIэкIхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъум и щхьэусыгъуэкIэ, ар езыгъэфIэкIуэн хуей псалъэмакъыр къызэрыпхуэмыIэтыххэрщ. Зи гугъу тщIыр «смс»-хэмрэ «комментарий»-хэмрэ къыхэтэджыкIа «адыгэ урысыбзэкIэ» утыку къихьэ сатырхэрщ. Абыхэм ди Iуэху яхэмылъыххэу къэтлъытэнут, а хамэбзэ къебэ-небэмкIэ Хьэбалэ къыIурыбла тхыгъэхэр пщэдей хуэдэм адыгэбзэкIэ зэддзэкIыжурэ, «адыгэм итхащ» жытIэу дащытхъун къалэныр къыдэбгъэрыкIуэ зэпыту щымытамэ. ХамэбзэкIэ дунейм къытехьа тхыгъэ нэхъыфI дыдэри адыгэ литературэм щыщкъым, урысыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ, къинэмыщIыбзэкIэ фIэкIа мытхэ усакIуэм «адыгэ усакIуэ» фIэщыныр захуагъэкъым - аращ махуэ къэс къытедгъазэурэ жыдмыIэу мыхъур. «Ярэби, мыр тхылъ дапщэ еджауэ пIэрэ, «тхылъ стхащ» жиIэу утыку къихьэн и пэкIэ?» - жыпIэу уегупсысыну ухунэсыркъым. Пщэдей хуэдэм нэгъуэщI зыгуэр къыкъуокIри, а уигу иримыхьар чэнджэщэгъуу къыуегъэщтэж. Умыдзыхэ, уи сурэтыр зытегъэуа усэ лъабжьэм зыми къыкIэщIитхэнукъым: «Уи урысыбзэм урыс грамматикэм ипкъ иткIэ щыуагъэшхуэхэр къыхохуэ, мы усэми фIыуэ елэжьын хуейщ», - жиIэу. Нэхъ гъащIэшхуэ къызэзынэкIа литературэхэм узэрыдахьэхын Iэмал нэхъыбэ яIэщ. Псалъэм папщIэ, а бзэмкIэ цIыху нэхъыбэ зэрыпсалъэр. Ауэ ипэжыпIэкIэ усакIуэр усакIуэ зыщIыр бзэм и закъуэкъым - жиIэн зэриIэмрэ ар зэхэзых зэрыщыIэмрэщ. ТIум языр - бзэмрэ абы мафIэгу чырэу кIэрыщIа литературэмрэ - чэммэ, мис, нобэ къытщыщIыр къащощI. БзитIыр зэдэтхь къудей мыхъуу, щызэхуэдгъэдэфын гъащIэ дыхэпсэукIыу щытамэ, мы Iуэхум хэкIыпIэ гуэр къыхукъуэкIынкIи хъунт. Ауэ илъэсищэрэ щэ ныкъуэм щIигъукIэ урысыбзэкIэ дунейм къытехьа адыгэ IэдакъэщIэкIхэм ятепщIыхьмэ, гу лъумытапIэ иIэкъым ахэр урысыбзэ зэзыгъащIэхэм е адыгэбзэ зымыщIэхэм нэхъ къахуэщхьэпэ литературэу зэрыщытым. Шэч хэлъкъым ахэр хэкум епха гурыщIэхэм, тхыдэм хэухуэна напэкIуэцI гъэщIэгъуэнхэм зэралъэIэсми, ауэ дэ дызылъыхъуэу къытхуэмыгъуэтыр лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыж анэдэлъхубзэм псынэ къыщIэжыпIэ хуэхъу тхыгъэ нэгъэсахэрщ. Мы зи гугъу тщIы утыкум къихутэхэр «угубзыгъэмэ, уемыджэми хъуну» къызыфIэщI гупщ, зэхэгъэж зымыщI «лъэпкъ Iуэхум» жыджэракIуэ ищIауэ. Пэжщ, тхылъ нэхъыбэ еджа псори Iущкъым. Еджа гунэфи емыджа гу нэхуи куэд дыдэу щыIэщ. Ауэ дызытепсэлъыхьыр щыIэщIагъэкIэ, кърикIуэр псоми къытлъэIэсу щыщыткIэ, мыпхуэдэ IэдакъэщIэкIхэм лъэпкъым дыхьэшхэныфэ къызэрытрагъауэм гу лъыдмытэну дыхуиткъым. Иджы а «лъэпкъ Iуэху» жыхуаIэм дыхэIэбэнщ. Нэхъ Iузэу къэтщтэнщи - адыгэ Iуэхум и «урысыбзэ къудамэм». ЖытIэр пэжу къагурыIуэну дыхуейт: дэри ди гуапэ мыхъуу щыткъым бзэ зэмылIэужьыгъуэхэм махуэ къэс нэхъ уэру адыгэ тхыдэм зэрызыщиубгъур, ди блэкIам лъэпкъ нэхъыбэ щыгъуазэ зэрыхъур. Ауэ зи жьауэ дыщIэт жыгым и лъабжьэр гъужмэ, щIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ нэс димыIэжмэ, дыкъэзыухъуреихь бзэмкIэ лажьэ ди щхьэхэмрэ анэдэлъхубзэкIэ дунейр зыхэзыщIэ дигухэмрэ дауэ зэтеувэжа зэрыхъунур?! Адыгэхэр урысыбзэкIэ зыгъэунэ цIыху жанхэр щыплъагъум деж, блэкIа лъэхъэнэр зыхуэерыщу щыта «дэ тщымыщыр - бийщ» Iуэху зехьэкIэр уи нэгу къыщIоувэж. ГъэщIэгъуэныр адыгэбзэншэу адыгагъэм хуэпабгъэ къудамэщIэ псори зэрызэщхьыркъабзэрщ: чыристаныгъэм дихьэхауэ уэрамыщхьэм «къыщыдэщакIуэ» ди лъэпкъэгъухэри; лIэщIыгъуэкIэрэ муслъымэныбзэу къекIуэкIа адыгэбзэр къагъэнауэ, КъурIэнымрэ хьэдисхэмрэ урысыбзэкIэ гуэусыхь ди динэгъухэри; адыгэ хабзэм фIэщхъуныгъэ къыхащIыкIыным гугъэ хэзымыхыж «адыгэ дыдэхэри». Псори зэщхьщ… анэдэлъхубзэм фIыкIэ зэрыщымыгугъымкIэ. ЗэрызэщхьэщыкIыр я нэр зымыгъаплъэ щхьэусыгъуэмрэ я урысыбзэм зызыкIэрищIэ «терминхэмрэщ». Зи гугъу тщIы хэкупсэм а зыхэпщIа насып къудамэм сыт хуэдэ гупсэхугъуэ лIэужьыгъуэ щигъуэтыр жыпIэмэ, ари ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа усэ тхыкIэм ещхьыркъабзэщ: цIыхухэм закъыхигъэщыну хуитыныгъэ къелъыхъуэ. А адыгэбзэм зэи къыпхуимыдэнур! АнэдэлъхубзэкIэ зепхьэ сыт хуэдэ хабзэми къыпфIыщIигъэщынур! Дунейм зыужьыныгъэ гъуэгуу щызекIуэр зы закъуэщ: зыщIэм ищIэр зымыщIэм жреIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, нэхъыжьым – нэхъыщIэм. Нэхъ псынщIэу зылъэIэс Iэмалым зэрепхъуар я щхьэусыгъуэу, а зи гугъу тщIы лъэныкъуэ псоми гу къабзэкIэ, плъапIэ лъагэкIэ хэпщIа зэрыщыIэри гурыIуэгъуэщ. Ауэ псоми къэтлъыхъуэр зыуэ, абы ухуэзышэ гъуэгухэм я нэхъ кIэщIыр ди лъэпкъыбзэм хэпщIауэ хэт Iущыгъэрауэ щыщыткIэ, уэ пхуэдэм хамэбзэкIэ цIэ гуэр фIэпщу, гъащIэм къыщыплъыс зэман тIэкIур абы пэщIэтыным тебухуэн щхьэ хуей?! Жэуапыр зыщ: адыгэхэм я гъащIэ псор зытрагъэкIуадэ «цIыхум хэгъуэщэн» къалэныр, цIыхубэ гъащIэм уи увыпIэ къыщыбгъуэтыжыныр Iуэху тыншкъыми аращ. Псалъэм и кIэщIращи, адыгагъэр иджыпсту «моднэ» хъужащ. Ар дыдэр адыгэбзэм тхуещIамэ - дехъулIат, сыту жыпIэмэ, адыгэ хабзэр урысыбзэкIэ зыхэслъхьэнщ жыхуэпIэ плъапIэр щхьэгъэпцIэжщ: тэджыкIэ-тIысыкIэм зыпхуегъэсэнущ, ауэ лъэпкъышым нэгъунэ гукъэкI хэзылъхьэфа адыгэбзэм и гъэсэныгъэ курыхыр пIэщIэкIынущ. Ди бзэмрэ ди хабзэмрэ хамэбзэкIэ дытегузэвыхькIи, дуней псом адыгэ фащэ щытIтIагъэкIи адыгащхьэ къытфIэкIэжынукъым, а щхьэр гум езыпх къуэпсым - анэдэлъхубзэм - къару щIэмылъмэ. Нобэ дызытегушхуэ лIыгъэм гъуэгу езытар дыгъуасэ зыгуэрым и псэм и IэфIыр, и бзэм и къарур, и хэкум хуихъумэ хъуэпсапIэхэр езыр зыхэпсэукI зэманымрэ щIыпIэмрэ зэрыригъэзэгъыфаращ, щхьэл игъэлэжьами, жэм къишами, вакъэ идыжами. Ахэр хьэзыру щыIэу, дунеищIэ къыщIызэIупхыни революцэ къыщIэбгъэхъеини щыIэкъым – щыIэр егъэфIэкIуэн хуейуэ аращ. ЧЭРИМ Марианнэ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "uzolagu.txt" }
Адыгэ Хьисэрэ шэшэн Исарэ 1868-1881 гъэхэм Тбилиси (а зэманым – Тифлис) щыIэ пащтыхь тетыгъуэм и унафэкIэ «Кавказ бгырысхэм ятеухуа хъыбархэр» («Сборник сведений о Кавказских горцах») фIэщыгъэм щIэту тхылъипщI къыдагъэкIауэ щытащ. Зэманым и нэпкъыжьэ зытелъ дэтхэнэ тхыгъэми ещхьу, зауэр къахэмыIэбэ щIыкIэ бгырыс лъэпкъхэр зэрызэдэпсэуа щIыкIэм и теплъэгъуэ щIэщыгъуэ куэд ущрохьэлIэ урысхэм дыкърагъэцIыхун папщIэ зэхалъхьауэ щыта а тхылъ зыбжанэм. Нобэ ди щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ идолъхьэ абы и еплIанэ къыдэкIыгъуэм узыщрихьэлIэ «Адыгэ Хьисэрэ шэшэн Исарэ» («Черкес Иса и чеченец Иса») таурыхъыр. Ар зытхыжа ингуш узэщIакIуэ Ахриев Чох 1850 гъэм ингуш къуажэ Фэртауг дунейм къыщытехьащ. Илъэсибл фIэкIа имыныбжьу, езым хуэдэ бгырыс ныбжьыщIэхэм я гъусэу, Ахриевыр «аманат»-у ятри, Владикавказ щыпсэу урыс унагъуэм къыщыхъуащ: япэщIыкIэ Шэткъалэ (Ставрополь) дэт гимназиер, нэхъ иужьыIуэкIэ - Нежин дэт лицейр къиухащ. Зи гугъу тщIы таурыхъыр узэщIакIуэм щитхыжа къуажэу «аул Карак» къегъэлъагъуэ. Ар нобэкIэ щыIэжми, Кавказ зауэм хэкIуэдэжахэм ящыщми дыщыгъуазэкъым. ГъэщIэгъуэну Iуэхум хэтыр сыт жыпIэмэ, ингуш узэщIакIуэм и къуэрылъхур - УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр, КъБКъУ-м медицинэмкIэ и факультетым илъэс куэд щIауэ щылажьэ профессор Ахриев Хьэжы - Налшык зэрыщыпсэурщ, Тхьэм куэдрэ ди япэ иригъэт. Куэд щIакъым щIэныгъэлIым и адэшхуэмрэ кхъухьлъатэзехуэ цIэрыIуэу щыта и адэмрэ къащIэна тхылъымпIэхэр Ингуш щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и архивым тыгъэ зэрыхуищIрэ. «Кавказ лъэпкъхэр зэрыцIэрыIуэ «къунакъ» зэхущытыкIэр ди лъэпкъхэм хьэщIэм хуащI пщIэм фIыуэ щхьэдох, - дыкъыщоджэ зи гугъу тщIы таурыхъыр и щапхъэу бгырысхэр зэрызэхущытам тепсэлъыхь дагъыстэн тхакIуэ Шапиев Къазии и «Къунакъ зэкъуэшыныгъэ» тхыгъэм. «Фэр-фэру фегупсыс, - къыпещэ абы. - ХьэщIэр – Тхьэм и лIыкIуэщ. Абы пщIэ хуащI, ягъэлъапIэ. Сытми, къэкIуащ, кIуэжащ. Къунакъыр абы нэхърэ куэдкIэ нэхъ гъунэгъущ, гулъытэ хуащIри нэхъ инщ». Нобэрей адыгэхэр къигъэуIэбжьынкIи хъунщ и шэшэн ныбжьэгъум папщIэ и щхьэгъуси и быни емыблэ адыгэ Хьисэ. Шэшэн Исаи нэхъ хуэмыхукъым. Ныбжьэгъум папщIэ ищIэ псоми и гур утIыпщауэ зэрыбгъэдыхьэм, абы къызэригъэпэжынум шэч къызэрытримыхьэм ди япэ итахэм яхэлъа цIыхугъэм ухуригъэхъуэпсэкIыжу апхуэдэщ мы таурыхъыр. Шэч хэлъкъым гъунэгъу лъэпкъхэм я деж апхуэдэ куэд ди нэхъыжьхэм ятеухуауэ зэрыщыдгъуэтыжынуми, абы фIы фIэкIа къызэрыримыкIуэнуми. Пасэ зэманым «адыгэ Хьисэрэ шэшэн Исарэ» жаIэри Кавказым щIалитI щыпсэуащ, зымыцIыху щымыIэжу. Япэрейм и цIэр игъэIуат ар зэрыбейм, адрейр мылъку къэугъуеикIэкIэ, щауэ IэкIуэлъакIуагъкIэ, сытми, дэтхэнэ шэшэн щIалэ шыщхьэмыгъазэми хэлъыпхъэ хьэлхэмкIэ цIэрыIуэт. Махуэ гуэрым адыгэ Хьисэ и шыбз хыщIыр фIэкIуэдат. Зытемыхьа лъагъуэрэ зыдэмыплъа къуэладжэрэ къэмынэжауэ унэм екIуэлIэжыну мурад зыщIа щIалэр зэрымыщIэкIэ шэшэн Иса щыпсэу къуажэм къыщохутэ. Шэшэн Иса щIалэр иригъэблагъэри… хьэщIэм хуэфащэ пщIэм и хьэтыркIэ къыфIидыгъуа шыбз хыщIыр къритыжащ. ЩIалитIым тхьэрыIуэкIэ къуэш зызэхуащIа нэужь, шэшэн Иса адыгэ Хьисэм псалъэ къыIихащ мазэ дэкIмэ аргуэру хьэщIэу хуеблэгъэну. ПIалъэр къыщысам, адыгэ Хьисэ и щуIэгъэр сымаджэ хьэлъэ хъуат. «СылIэху уемыжьэ», - и псэм еджэу телъ бзылъхугъэр лIым елъэIуащ. Ауэ ныбжьэгъум ирита псалъэр нэхъапэти, жиIам тетыж адыгэ Хьисэ шэшэн Иса деж кIуэну ежьащ. Гъуэгу тету къуэ къызэрыхэхъуамкIэ ягъэгуфIа щIалэфIым и щхьэгъусэр дунейм зэрехыжар къыжраIа щхьэкIэ, имыгъэзэжу иунэтIащ къигъэгугъа ныбжьэгъум деж. - Сыт и чэзум укъыщIэмысар? – зэрынэсу къеупщIащ абы шэшэн Иса. «Сыкъыщежьэм унэм щIэсыр сымаджэ хъуат… Гъуэгум сытету щыхьэкIуэ къыскIэлъысащ. Аращ и чэзум сыкъыщIэмыкIуэфар», - къритащ жэуап адыгэ Хьисэ. Махуэ зыбжанэкIэ шэшэн Иса деж щыхьэщIа адыгэ Хьисэ игъэзэжыну зыщигъэхьэзырым, бысымым къыхуидакъым. «ЛIыгъуабэу къысхуэкIуа хьэщIэр щхьэгъусэншэу згъэкIуэжынукъым», - иукъуэдийщ шэшэн Исаи, зэныбжьэгъуитIыр нысэ лъыхъуэ ежьащ. Махуэ псокIэ гъуэгу тетауэ, йоуэри зэныбжьэгъухэр бгъуэнщIагъ гуэрым къыщоувыIэ. Адыгэ Хьисэ асыхьэтым Iуриха щхьэкIэ, жейм емызэгъ шэшэн Иса бгым и мелыIычхэр зэрызэпсалъэр зэхех: - НакIуэ, Аллэ-Беллэ, - жеIэ Беллас, - хьэдэIусым дыкIуэнщ. - Хьэуэ, Беллас, - кърет абы жэуап Аллэ-Беллэ, - сэ си бгъуэнщIагъым сыщIэкI хъунукъым, хьэщIэ сиIэщ. - Хэт хъуну уи хьэщIэхэр? – къоупщI Беллас. - Шэшэн Исарэ адыгэ Хьисэрэ согъэхьэщIэ, - къретыж жэуап Аллэ-Беллэ. - Сигу къэкIари, Беллас. Уэращ дэ тщыщу къэхъун-къэщIэнухэр нэхъ зыщIэри, ди хьэщIэхэм я мурадыр къызжеIэ. «Абыхэм я мурадыр, - къритащ жэуап Беллас, – лIыгъуабэ хъуа адыгэ Хьисэ щхьэгъусэ къыхуашэнырщ. Адэ-анэ фIэкIа зытемыплъа, зэи зыми имылъэгъуа пщащэщ абыхэм къагъуэтынур. А хъыджэбзым и хъыбар зэхэзымыха гъуэтыгъуейщ». Пщащэр зыщыщ къуажэм и цIэри къриIуащ Беллас. А псори шэшэн Иса зэхихащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм хъыджэбз цIэрыIуэр щыпсэу къуажэм макIуэ зэныбжьэгъухэр. Фызабэ гуэрым деж йокIуалIэхэри, абы и унэ къыщоувыIэ. - Сытым фыкъытхуихьа ди къуажэм? – къоупщI фызабэр щIалэхэм. - ДыкъыщIэкIуаращ, - иритащ абы жэуап шэшэн Иса. – Фи къуажэм адэ-анэм фIэкIа темыплъауэ пщащэ щIагъуэ дэсу жаIэ, абы дылъыхъуну дыкъэкIуащ. - ЛъагэIуэу фыдоIэбей, - щабэу къапидзыжащ фызабэм. – А хъыджэбзым хъанхэри пащтыхьхэри къыщIоупщIэ, ауэ зыри зытригъэхьэркъым. Ауэ, пщIэну щыткъым, и унэр фэзгъэлъагъунщи, фи насып къихь феплъ. - Дэри арат дызыхуейр, - арэзы мэхъу шэшэн Иса. Фызабэм пщащэм и унэр яригъэлъагъури, пщIантIэм зэрыдыхьэну щIыкIэм теухуауэ чэнджэщ къаритащ. - Хъыджэбзыр щыпсэу пщIантIэм дыжьыным елэжь дыщэкIхэр дэсщ, фи Iэщэр вгъэщIэрэщIэну фыкIуа хуэдэу фыдыхьэ. Пщащэм фызэIуигъаплъэмэ, фи кIэн къикIауэ аращи, маржэ, зыIэщIэвмыгъэкI. КъыкIэлъыкIуэ махуэм адыгэ Хьисэрэ шэшэн Исарэ дыжьын тхыпхъэкIэ Iэзэхэм я деж екIуэлIахэщ. Адыгэ Хьисэ пщIантIэм зэрыдыхьэу шыр игъэджэгун щIидзащ. Абдежым хъыджэбзыр ищхьэ къатым къеплъыхри, и Iэ тхьэмпэ хужь цIыкIур плъагъуу жызум Iэрамэ къридзыхащ. Адыгэ Хьисэ жызумыр щIым нимыгъэсу къиубыдри, и жыпым ирилъхьащ. ДыщэкIхэм «пщыхьэщхьэ фыкъакIуэ» къыжраIати, пщыхьэщхьэ гуэрым щIалитIыр хъыджэбзымрэ къамэщIхэмрэ зыдэс пщIантIэм макIуэ. Адыгэ Хьисэ аргуэру шыр егъэджэгу. Пщащэм иджы и бгым нэс зыкъегъэлъагъуэри, мыIэрысэ къредзых. Адыгэ Хьисэ мыIэрысэр щIым нимыгъэсу къеубыдри, и жыпым ирегъапщкIуэ. ДыщэкIхэм аргуэру «пщэдджыжь фыкъакIуэ» къыщыжраIэм, зэныбжьэгъуитIыр пщIантIэм пщэдджыжьым нос. ПщIантIэм зэрыдыхьэу, адыгэ Хьисэ шыгъэджэгум щIедзэ. Хъыджэбзым и кIыхьагъкIэ зыкъегъэлъагъуэри, дэ хъурей къредзых. Адыгэ Хьисэ дэр щIым нимыгъэсу къепхъуатэри, и жыпым ирелъхьэ. - Фи мурадыр къывэхъулIауэ фыбж-тIэ иджы, - къажреIэ щIалитIым псори зыжраIэжа фызабэм. – Ауэ фымыбэлэрыгъын щхьэкIэ, си чэнджэщым фыкъедаIуэ. ЯпэщIыкIэ жызум Iэрамэ къыпхуридзыхащ, етIуанэу – мыIэрысэ, ещанэу – дэ. Абы къикIыр мыращ. Нэхущым деж хъыджэбзыр зыплъыхьакIуэ къыщIэкIынущ: япэ жэщым – жызумей хадэм, етIуанэм – мыIэрысей хадэм, ещанэм – дей хадэм. ЖэщищкIэ пщащэм фыпэплъэн хуейщ, а зэманым къриубыдэу зыIэрывмыгъэхьэфмэ, фыпыкIауэ фыбж. Арати, адыгэ Хьисэрэ шэшэн Исарэ япэ жэщым жызумей хадэм макIуэ. Зэрынэсу, шэшэн Иса и ныбжьэгъум зыхуигъазэри жриIащ: «Хэди къыхэх: ухуеймэ, дишхэр уогъэхъуакIуэ, «хьэуэ» жыпIэрэ, къэхъум ухуэхьэзыру пщащэм упэплъэу щыт». Адыгэ Хьисэ пщащэм пэплъэу хадэм итыну арэзы хъуащ. Ауэ пэплъэм-пэплъэурэ жей къыщытеуэм, и щхьэм уанэр щIидзщ, щIакIуэр зытрипхъуэри Iурихащ. Нэхущым ирихьэлIэу хъыджэбзыр жызум хадэм зыплъыхьакIуэ къохьэ. Хадэр ихъуреягъкIэ къызэхикIухьа нэужь, щIым жейуэ щылъ цIыхум гу лъитащ пщащэм. Щэхуу бгъэдыхьэщ, щIакIуэр къиIэтщ, и нэгум иплъэри: «Сыту лIы къекIу!» - жиIащ. ИтIанэ зыми зыкъримыгъэлъагъуу щэхуу унэм кIуэжащ. «Дауэ хъуа, къэкIуа пщащэр жызум хадэм?» – къеупщIащ шэшэн Иса адыгэ Хьисэ. Модрейми зэрыIурихамкIэ, пщащэр къэкIуами къэмыкIуами зэримыщIэмкIэ зыкъиумысащ. КъыкIэлъыкIуэ жэщым адыгэ Хьисэ пщащэм ежьэну иджы мыIэрысей хадэм макIуэ. Аргуэрыжьу жей къытоуэри щIалэр Iурех. А жэщми къэкIуат пщащэр хадэм. Аргуэру щIым жейуэ щылъ щIалэр къилъагъуу щыIуплъэм: «Сыту егъэлеяуэ цIыху лъагъугъуафIэ!» - жиIэри, нэху зытримыгъащхьэу и унэ екIуэлIэжащ. Ещанэ жэщ гуэрми адыгэ Хьисэ хъыджэбзым пэплъэну дей хадэм итIысхьа щхьэкIэ, жейм пэлъэщакъым. Ипэ жэщитIми ещхьу, хадэм къихьа пщащэм адыгэ Хьисэ Iурихам Iуплъэри ежьэжыну зигъэхьэзырат, ауэ къехъулIакъым. Абдеж дыдэм щыт шэшэн Иса къыпэуври хъуэхъу къытриIуащ: «Алыхьым адыгэ Хьисэ псэгъу ухуищI». Езым зимыIэжьэу адыгэ Хьисэ къигъэушщ, пщащэр абы и шыплIэм дигъэтIысхьэри унэм кIуэжыну ежьэжахэщ. ГъуэгурыкIуэхэр здежьам нэмысу жэщ къатохъуэри, ипэрей бгъуэнщIагъым йокIуалIэ. Щауэмрэ пщащэмрэ Iурихащ, шэшэн Иса жейм езэгъыркъым. АпщIондэху бгым и мелыIычхэр зэпсалъэу зэхех: - НакIуэ, Аллэ-Беллэ, - къыхедзэ Беллас, - илъэсиблкIэ згъэшхауэ зыв зыIудгъэхуэнщ. - Хьэуэ, Беллас, - жэуап кърет Аллэ-Беллэ, - сэ бгъуэнщIагъым сыщIэкI хъунукъым, хьэщIэ сиIэщ. - Хэт уи хьэщIэр? - Адыгэ Хьисэрэ абы и къэшэнымрэ, шэшэн Иса я гъусэу, - ирет жэуап Аллэ-Беллэ. – Уэ зэрыжыпIам хуэдэу хъуащ абыхэм я Iуэхур, иджы сыт къапэщылъу жыпIэрэ? - ЖысIэнщ, ауэ ар зэхэзыхыу зыIуэтэжым и пкъыр Тхьэм мывэу игъэж! Зыри къащымыщIу шэшэн Иса и унэм нэсынущ уи хьэщIэхэр. Ауэ лэгъунэм щрахьэкIыну япэ жэщым и кум адыгэ Хьисэрэ абы и нысащIэмрэ блэшхуэ якIэщIэпщхьэнурэ и шэрэзыр тIуми яхиукIэнущ. Шэшэн Иса псори зэхихат, ар зыIуэтэжым Беллас зэребгари IэщIэкIатэкъым. Арати, егупсысын щIидзащ ныбжьэгъумрэ нысащIэмрэ къригъэла зэрыхъунум. И жьэр зэрызэщIихыу мывэу зэрыжынури къыгурыIуат. НэхъыфI игу къыщымыкIым, шэшэн Иса зыми зыри жримыIэу, щауэмрэ нысащIэмрэ жэщ псокIэ ихъумэну мурад ищIащ, и сэшхуэр сампIэм иримылъхьэу. Ауэрэ жэщыкур къос. Адыгэ Хьисэрэ и нысащIэмрэ жей IэфIым хилъэфа къудейуэ, лэгъунэбжэмкIэ блэшхуэ къызэрыпщу елъагъу къэрэгъулу щыт шэшэн Иса. Блэр къэкIуэтэху, къыкъуэщ и Iыхьэр пигъэхуурэ, шэшэн Иса нэху щыху и сэшхуэр иримыхьэхыу лэгъунэм щIэтащ. Асыхьэтым Адыгэ Хьисэ къызэщоу. Плъэмэ, илъагъур сыт? Шэшэн Иса я гъуэлъыпIэм къыбгъэдэту лэгъунэм щIэтщ. АфIэкIа хэмылъу, адыгэ Хьисэ гурыщхъуэм еубыд. Дей хадэм щитами, шэшэн Исат нысащIэр къэзыгъэувыIар. Иджы я лэгъунэм щIэтщ. Абы къигъэлъагъуэкъэ абы я зэхуаку зыгуэр зэрыдэлъыр. Шэшэн Иса дрекIуи ирегъэпэж, Iуэхур апхуэдэу щыхъуакIэ. «Гурыщхъуэ къысхуумыщI, уи щхьэгъусэм сегуэкIуауэ жыпIэу, - занщIэу къыгуроIуэ шэшэн Иса и ныбжьэгъум и гур здэжэр. - Сэ фи лъэгъунэм сыщIыщIэтар фэ тIур фыкъезгъэлын щхьэкIэщ». И ныбжьэгъум и гур игъэзэгъэн папщIэ, нэгъуэщI Iэмал къызыхуэмына шэшэн Иса, бгъуэнщIагъым щызэхиха псори хуеIуэтэж: нысащIэмрэ адыгэ Хьисэрэ загъэпсэхуху езыр зэрымыжеяри, бгым и мелыIычхэу Аллэ-Беллэрэ Белласрэ зэракIэщIэдэIухьари, адыгэ Хьисэрэ и щуIэгъэмрэ къапэщылъ кIуэдыпIэм теухуауэ къищIари, зыри щIыжимыIам и щхьэусыгъуэри. И хъыбарыр зэриухыу, шэшэн Иса и пкъыр мывэу мэж. Адыгэ Хьисэ зэрыщыуар къыгурыIуэжат, ауэ сыт и Iэмалт? Арати, щIалэм жэщыр щраха бгъуэнщIагъым егъэзэж, и ныбжьэгъум цIыхупсэ къызэрыхигъэхьэжыну щIыкIэм теухуауэ мелыIычхэм зэхуагъэхъыбарым едэIуэну. Зыхуеиххэрати, адыгэ Хьисэ зэхех Беллас Аллэ-Беллэ и дзэр иригъэлъыну зэрыригъэблагъэр. - Хьэуэ, сэ бгъуэнщIагъым сыщIэкI хъунукъым, хьэщIэ сиIэщ, - ет жэуап Аллэ-Беллэ. - Хэт хъуну уи хьэщIэр? – щIоупщIэ Беллас. - Адыгэ Хьисэ согъэхьэщIэ, - ет жэуап Аллэ-Беллэ. – Сыт, Беллас, ар си бгъуэнщIагъым къыщIэкIуар? - КъыщIэкIуар зи пкъыр мывэу жа шэшэн Иса цIыхупсэ къыхэзыгъэхьэжын Iэмалыр зригъэщIэн щхьэкIэщ, уэрэ сэрэ дытепсэлъыхь хъумэ. Адыгэ Хьисэ и япэ щхьэгъусэм къыщIэнауэ къуэ иIэщ, илъэсий хъуауэ и адэр къилъыхъуэжу. Абы жэщи махуи щауэ махуэ пщыкIутI къыбгъурыту къекIухь. ЩIалэ цIыкIум и щхьэ куцIым пцIащхъуэ гуэр исщ. А пцIащхъуэр адыгэ Хьисэ и къуэм и щхьэкъупщхьэм кърахыу, и бзэгур шэшэн Иса и щхьэ къупщхьэм ирагъэIусэмэ, цIыхупсэ къыIукIэжынущ. Адыгэ Хьисэ зэхихащ мелыIычхэм жаIэр. Арати, и къуэм и лъыхъуакIуэ етIуанэ махуэм йожьэ. Куэд дэмыкIыу абы къыхуэзащ щIалэ гуэр, щауэ ахъырзэман пщыкIутI къыбгъурыту. Адыгэ Хьисэ и къуэр къицIыхужащ, езы щIалэми къицIыхужащ и адэр. Адыгэ Хьисэ и къуэр и ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэм и унэм иригъэблэгъащ – шэшэн Иса деж. Гъуэгу здытетым, адэм къуэм хуиIуэтэжащ и псэ емыблэжу и ныбжьэгъум къыхуищIа псори. Ар мывэ зэрыхъуа щыкIэри, щIэхъуа щхьэусыгъуэри, цIыхупсэ къыIукIэжын папщIэ зыхуэныкъуэри хуиIуэтащ. - Си ныбжьэгъум папщIэ уи псэр пхуэтыну? – еупщIащ и къуэм адыгэ Хьисэ. ЩIалэр арэзы хъуащ. Арати, адыгэ Хьисэ и къуэм и щхьэр пиупщIщ, и щхьэ къупщхьэм пцIащхъуэр кърихри, абы и бзэгур мывэу жа шэшэн Иса и щхьэ къупщхьэм иригъэIусащ. Шэшэн Иса асыхьэтым цIыху псэууэ къызэфIэувэжащ. «Хэт и щхьэ къупщхьэ мы си гъуэлъыпIэ лъабжьэм щIэлъыр?» – щIэупщIащ асыхьэтым шэшэн Иса. Адыгэ Хьисэ и ныбжьэгъум хуиIуэтэжащ щхьэкъупщхьэр зейри къыздикIари. Ар зэрызэхихыу, шэшэн Иса пцIащхъуэр къыхуахьыну унафэ ищIащ. ПцIащхъуэр къызэрахьу, къищтэщ, адыгэ Хьисэ и къуэм и щхьэ къупщхьэм ирилъхьэжщ, щIалэм и щхьэм епщэри, пкъымрэ щхьэмрэ зэригъэубыдыжащ. Адыгэ Хьисэ и къуэмрэ и щхьэгъусэмрэ дэщIыгъуу гъуэгу теувэжхэри я деж кIуэжащ, шэшэн Иса и унэм къыщIэнэжащ. Абы лъандэрэ я зэхуаку дэлъ зэкъуэшыныгъэр йофIакIуэри- йофIакIуэ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "vainah.txt" }
Купхъхэр Къызэгуэчу... къызэгуэчын къудейуэ купхъхэр Я кIанэхэр къракIуту, къракIутын къудейуэ, Гупщысэм къызэгуич натIэми ерейти Дунейм зыреплъ щхьэгъубжэхэм и Iупхъуэм къыдэщу. Фи напIэр хуэвгъалIэу, купхъхэ, дыгъэм фыпэрыувэмэ, Лэжьэным хэлъ щхьэIэтым фэри фыдихьэхынущ. Къэдабэ Iупхъуэхэр къэгъэчэн Къэкъутэн лэжьыгъэм. ИтIанэ ардыдэу, купхъыфэ быдэ, дыщэ теплъэр Гупщысэм и Iэпщэ мышыжым къызэгуич натIэу къызэгуэчынщи кърипхъынщ и асу налкъут налмэсыр. Уа мы нэхур къызыхидз къэкъутэкIэхэ! Щэхубзэрэ нэрымылъагъуу фи зэхэлъыкIэм ЗыхызегъащIэ зи щэху къэзумыса щыIэкIэ гуэрэ. НафIэ бзу Амал зымыт бзу! Уджащ умувыIэу жэщыр зи кIыхьагъым Нэху щыху вагъуэр уэшхыу ибгъэшхащ уэгум. ЩIэдэIукIэ зыщыгъэнщIыгъуейм и Iуащхьэ махуэ дыгъэм А уи губжь щабэмкIэ сыдэпхыурэ сыкъепхьэхыжащ. Псэр уIэгъей хъуакIэт, къытхуиухахэрщи пIэимыкIт ЗылъэIэса псор илыгъуэт, яжьэуэ игъэщащэт… Уа, лъагэным и макъ, сэру сэр дыдэм си макъ! Нэхулъэм, зы махуэ дахэкIей и нэкIу къыхещIыкI жьауэм, Ауэ махуэр теплъэгъуэ къудейщ, нэгъуэщIкъым, мыбы адкIэ, Куэд щIащ абы сэ си деж пщIэ зырыщимыIэжрэ. НэкIу зимыIэж махуэр сыт ищIыс, сытым ещхь? ЗымикI…! И гупэр жэщым хуигъэзащ си псэм Хуэмеиж кIэху къищIми, махуэ щIэрыпсми. ЗэзыдзэкIар Гуащокъуэ Абдулщ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "valeri.txt" }
«Пшэплъхэр мыбдеж щыдаущыншэщ…» / «Пшэплъ даущыншэхэр» / Васильев Борис и повестымрэ зауэ илъэсхэм теухуа прозэмрэ къытращIыкIа инсценировкэ ХЭТХЭР: Васков Федот Евграфыч – илъэс 32-рэ, старшина, гъущI гъуэгу разъездым и комендант Осянинэ Ритэ – сержант нэхъыщIэ Комельковэ Женя Четвертак Галя Гурвич Соня Бричкинэ Лизэ ЛIыжь – Васков жьы хъуауэ Капитан – Альберт Федотыч (курыт ныбжьым итщ) Кирьяновэ – сержант, взводым и командирым и дэIэпыкъуэгъу Альберт (Алик) – Осянинэ Ритэ и къуэ Лейтенант Осянин Полковник Лужин Гурвич Соломон Аронович – Гурвич Соня и адэ Гурвич Соня и анэ Бричкин Иван Петрович - Бричкинэ Лизэ и адэ ЩакIуэ Унэгуащэ Зенитно-пулеметнэ батальон щхьэхуэм и сэлэтхэр – пщащэхэр ЩIалэгъуалэ гуп Нэмыцэ сэлэтхэр ЩIалэгъуалэ гуп къэжэнауэ мэзым щызэхэсщ, зи хъуреягъыр шэд гуэлым пэмыжыжьэу. - ... Сэлам алейкум, дадэ! - Уэ мыгъуэ лэжьыгъэм зыкъомыгъэлыжу упэрытщ, дэ щIыпIэ дахэм бдзэжьей дыщощэ. - Пэжщ, аргъуейхэм ди фэр ирах, ауэ гъащIэр жэнэт зэфэзэщщ! - Еуэ, дадэ, зыгъэпсэхугъуэ тIэкIу къэлъэIухуи, къытхыхьэ! - Мыбы зы машини зы цIыхуи щызекIуэркъым. Тхьэмахуэм зэ щIакхъуэ тIэкIу къытхуашэу къытхэлъадэ мыхъумэ, - махуэ псом пцIанабзэу къыщыкIухь ухуеймэ! - Алабгъуэ хэсу гуэл бэлыхьитI диIэщ, хариусыр хэзу псы йожэх. - Iэгъэбэгум и гугъу умыщIыххэ! - Неуэ, нытхыхьэ!!! - Зыхэпхрэ, нобэ зы лIыжь цIыкIу къыхэлъэдат мыбы: - и щхьэцыр тхъуауэ, - езыр пкъыфIэу, - ...Iэ пымытыжу... - зы зауэлIи и гъусэт... Капитаныр (къыIулъадэурэ). ИIэт, щIалэхэр фыкъыздэIэпыкъут! (Мывэ упса хьэлъэхэр кърахьэ. Псори зэрыхьзэрийуэ Iуэхум иужь йохьэ. Къихьэн яуха нэужь) Зывгъэпсэхуура, щIалэхэм? - Зыдогъэщхь, бдзэжьей дощэ. КАПИТАНЫМ. ГурыIуэгъуэщ. Куэд щIауэ фыхэс мыбы? - куэд щIакъым. Ихъуреягъым зы даущ щыIэкъым. - Зы машини къакIуэкъым - зы цIыхуи щыбауэкъым. - Жэнэт гъащIэщ мыбы къыщыбгъащIэр! - Ухуеймэ, уи анэ укъызэрилъхуауэ махуэ псом къыщыкIухь! Дыхьэшх макъ къоIу. КАПИТАНЫМ. ГурыIуэгъуэщ. Сэ Альберт Федотовичщ къызэрызэджэр, мыр - Тятэщ. - Тятэ (Мэдыхьэшх) КАПИТАНЫМ. Си адэщ, жысIэу аращ. - Батяня-комбат. КАПИТАНЫМ. Мыр старшинащ. Взводым и унафэщIу щытащ. - Ух, сыту сыкъэбгъэжэна нобэ… КАПИТАНЫМ. Мыр ветеранщ, зауэм хэтащ, ныбжьэгъухэ! - Ууу КАПИТАНЫМ. Уей арамэ. НтIэ дауэ фыхъурэ, щIалэхэр? ФыкъэмэжэлIакъэ? Ди гъусэу федзакъэ тIэкIу? - Ерыскъы... - Хьэуэ, ягъэ кIынкъым. Тхьэмахуэм зэ машинэ къокIуэ, щIакхъуэ къытхуешэри. - Абы нэмыщI гуэл бэлыхьитI ди гъунэгъущ, псы йожэх, мыст... - Хъаря… - Хъарю - Хърю-хърю (Мэдыхьэшххэ) КАПИТАНЫМ. Хариусщ жыхуэпIэр. Мэдыхьэшххэ. - Сыт мо мывэ упсахэр зищIысыр? - Ар уи кхъащхьэ сынращ! - ИIэ, шашлык щыдывгъэгъажьэ абы? - Ооо, сыту дыхьэшхэн! - Нежьэ! - Фынеуэ, мафIэгукIэ гуэлым дыкIуэ хуэдэт жи! Чыху-чыху! - Арат иджы къытхуэтыр! - Фыкъэлъэбакъуэ! КАПИТАНЫМ. Гъуэгу махуэ, ныбжьэгъухэ! ЩIалэгъуалэ гупыр макъамэм щIэту IуокIыж. КАПИТАНЫМ. Уезэша, ди адэ? ЛIЫЖЬЫМ. Мыр сыту пшэплъ дахэ! А? КАПИТАНЫМ. Сыт жыпIар? ЛIЫЖЬЫМ. Даущыншэрэ щымыбзэу. А зауэм лъандэрэ сыщыIатэкъым мы щIыпIэхэм. Мобдежрат ди гупыр щетIысэхар. КАПИТАНЫМ. Дэнэ деж? ЛIЫЖЬЫМ. Мес модрей лъэныкъуэмкIэ! КАПИТАНЫМ. Узэплъыни щымыIэж. ЛIЫЖЬЫМ. Аращ, зэхэуэм иужь унэ лъапсэ I2 хуэдиз къэнауэ арат зы гуэныжь и гъусэу. МафIэгухэри къыщыувыIэжкъым. КАПИТАНЫМ. Ар дапщэщт, тятэ? ЛIЫЖЬЫМ. 42 гъэм.... майм… (Хъуржыным гъуэмылэ, термос, шыуан цIыкIу кърех) КАПИТАНЫМ (хъуржыным щхьэкIэ). Къуентхъ къэпщIа? ЛIЫЖЬЫМ. Хьэуэ. Сысейщ… КАПИТАНЫМ. Мыдэ-мыдэ, (къоджэ) «ПЩIЭ ЗЫХУЭСЩI ХЭКУМ И ХЪУМАКIУЭМ». ПщIэ зыхуэсщI жи? ЛIЫЖЬЫМ. НтIэ... КАПИТАНЫМ. КъызжепIэжакъыми ар… ЛIЫЖЬЫМ. Пэжуи? Хьым… Саугъэту къызатат… Пэжщ, сэркIэ лъапIэщ… (Дыхьэшхын щIидзащ). ПщIэрэт? БжесIэжатэкъэ ари? Абы щыгъуэм ди гупыр щетIысэха щIыпIэр зыгъэпсэхупIэ хуэдэт. Нэмыцэхэм къыдэбгъэрыкIуэныр зэпагъэуат, ауэ махуэ къэс ди щхьэщыгу щыуфэразэт. Абы къыхэкIыу, унафэщIхэм, зыгуэр къэхъу хъужыкъуэмэ жаIэри, Iуагъэхьэну зенитнэ гупитI яIыгът. Беломор кIэнауэр тпэжыжьэтэкъым абыдеж. КАПИТАНЫМ. Сытыт-тIэ ар щIэзыгъэпсэхупIэр? ЛIЫЖЬЫМ. ЗыгъэпсэхупIэм щIещхьри? Сэлэтхэм ящIэн ямыгъуэту умэзэхауэ дэст, гъунэгъу жылэм къыдэна цIыхубзхэм, фызабэхэм самогон щIаху зэпытт. КАПИТАНЫМ. Уезэшакъэ? ТIэкIу ущхьэукъуэн? ЛIЫЖЬЫМ. Хьэуэ, хьэуэ. КАПИТАНЫМ. Нышэдибэ нэхулъэр къызэкIэщIимытхъ щIыкIэ дыкъэтэджащ… ЛIЫЖЬЫМ. (Хъуржыным сурэтхэр кърехри) Мис, еплъыт, мыр сэращ… (Сурэтыр экраным къредзэ) КАПИТАНЫМ. Сыт жыпIэр! Еплъыт мыбы, сэ мы сурэтхэр слъагъуххакъым… Мыр хэт? Мыр-щэ? Мыр а уэ пщIэра: «ПЩIЭ ЗЫХУЭСЩI ХЭКУМ И ХЪУМАКIУЭМ»? ЛIЫЖЬЫМ. Хьэуэ, мыр уи анэращ, Алик… КАПИТАНЫМ. Дауэ хъунт?.. АтIэ иджыри къэс щхьэ сымылъэгъуарэ мы сурэтыр? Нанэ и сурэтхэм къыщысцIыхужт мамэ, и щIалэгъуэу, и дахэгъуэу. Ауэ... Мыбдежым дапщэт зэрыхъур? ЛIЫЖЬЫМ. Илъэс I9-м ебэкъуагъэнт... КАПИТАНЫМ. Пэжуи? Мммм. Уей хъуам ар! ЛIЫЖЬЫМ. Сэ нэгъуэщI зыри къысхуэнэжыртэкъыми, рапортхэр стхырт. КАПИТАНЫМ. Ди майорыр тхакIуэкIэ йоджэ апхуэдэхэм… ЛIЫЖЬЫМ. Пэж дыдэщ! Сэри арат къызэрызэджэр! Ауэ сыт сщIэнт? Унафэр згъэзащIэу арат сэ. КАПИТАНЫМ. Сыт щхьэкIэ? ЛIЫЖЬЫМ. ЖысIэр зэхэпхкъэ? Сэлэтхэр зэи увыIэртэкъым, пщащэ цIыкIухэм я гъусэу къыщалъхуа махуэхэр ягъэлъапIэрт... КАПИТАНЫМ. А… ЛIЫЖЬЫМ. РапортипщI зэрыстхыу - сэ выговор къызатырт, взводыр зэбграхужырти, аргуэрыжьу щIэуэ зэхашэрт. КАПИТАНЫМ. Уэ сытыт выговор къущIатыр? ЛIЫЖЬЫМ. Зауэр екIуэкIырт! КАПИТАНЫМ. А, пэжщ ари... ЛIЫЖЬЫМ. Мыбдеж щегъэжьауэ лъэбакъуитI дэлъуращ Беломор кIэнауэм нэс. Майор. Зыри къикIкъым а зи Iуэху зефхуэм! ЛIЫЖЬЫМ. Еплъыт! Арат ди майорми жиIэр! Майор. КъретхэкI иджы! ТхакIуэу фIэкIа зэрыпщIэн щыIэкъым! Комендант хуэдэкъым мыр!.. СТАРИК. (Сурэтым еплъурэ... ) Мыр сэращ, сэращ... Васков. Фадэ емыфэщ къэвгъэкIуэнур! Аркъэ зыIузымылъхьэ!!! ИкIи... ммм... бзылъхугъэ и лъэныкъуэкIэ... Майор. Мыхъумыбз узыхуейр? Васков. Уэ нэхъ пщIэнщ. Майор. ДызэгурыIуащ, Васков!... Емыфэу, цIыхубзкIэ мынэхъуеиншэу. Ауэ... Старшина, абыхэми уахэмызагъэмэ... Васков. Псори тэмэм хъунущ. Мария Никифоровна. Уи зенитчикхэр къэсащ… КАПИТАНЫМ. А, мора ар, «ПЩIЭ ЗЫХУЭСЩI ХЭКУМ И ХЪУМАКIУЭМ»? Васков. Командирыр я гъусэ? Мария Никифоровна. Ягъусэ хуэдэкъым, Федот Евграфыч. Васков. Тхьэм и шыкурщ! Нэхъ Iей сыт щыIэ уи къулыкъур зыгуэрым дэбгуэшын нэхърэ?! Мария Никифоровна. ГурыфIыгъуэм зэ ухуэмыпIащIэ. Васков. Зауэр иухмэ, дыгуфIэнщ. ЛIЫЖЬЫМ. Зэ умыпIащIэт. Еплъыт мыбы. (Декорацэр IуегъэкIуэт) ЛъэныкъуитIу иувыкIауэ пщащэ жейбащхъуэ гуп щытщ. Кирьяновэ. Ныбжьэгъу старшина, зенитно-пулеметнэ батальоным и етхуанэ ротэм хыхьэ ещанэ взводым и езанэ, етIуанэ отделенэхэр къэсащ, уи унафэм щIэту мы щIыпIэр яхъумэну. Хъыбарыр къэзыIуатэр взводым и командирым и дэIэпыкъуэгъу сержант Кирьяновэщ. Васков. Ыхьы… Къэвгъуэтащ-тIэ фадэ емыфэ... Си унафэ хэмыту мы щIыпIэм зы лъэбакъуэкIэ фикIынукъым! ЧЕТВЕРТАК. МэракIуэхьи дыкIуэ хъунукъэ? ВАСКОВ. МэракIуэр хъуакъым иджыри. КИРЬЯНОВЭ. Къурэшей къитч хъуну-тIэ? Ар хэмыту хъунукъым ди Iуэхум, ныбжьэгъу старшина, уэд дыхъунущ. ВАСКОВ. Псым фыфIэмыкI. Аузым адэкIэ щыхупIэщ. ЗэкIэ къуажэдэсхэм я деж фыщIагъэтIысхьэнущ. КИРЬЯНОВЭ. Фэтэр зырыз къыдатынукъэ? ВАСКОВ. Ар сытым къыхэкIыу? КИРЬЯНОВЭ. Ди зэхуаку зэгурымыIуэныгъэ къыдэмыхъуэн папщIэ, къуажэдэсхэм дэрэ. ВАСКОВ Ара?.. Абы щыгъуэм мо гуэным фыщIэлъын хуейуэ аращ, пхъэбгъум фытелъу. ОСЯНИНЭ. Дэ абы щхьэкIэ дыкъикIуэтыркъым, ныбжьэгъу старшина. ВАСКОВ. Псалъэмакъыр!.. Уставым къызэригъэувыр дауэ? ОСЯНИНЭ. ЗыкъозгъэцIыхуну си къалэнщ: сержант нэхъыщIэ Осянинэ. ВАСКОВ. УпщIэ уиIэ? ГУРВИЧ. Уэздыгъэ щIэту пIэрэ, зэзэмызэ тхылъ деджэн хуэдэу? ВАСКОВ. Клубкъым фыздэзгъакIуэр, гуэнщ. ЧЕТВЕРТАК. Дзыгъуэ щIэскъэ? ВАСКОВ. Дзыгъуи?.. СщIэкъым, слъэгъуакъым. БРИЧКИНЭ. Красноармеец Бричкинэ Лизаветэ. Дызытелъыну пхъэбгъухэр дэ езым дгъэтIылъынура? ВАСКОВ. Сэ зэрывжесIэм хуэдэу фщIынущ. Иджыри упщIэ щыIэ? ПЩАЩЭХЭМ. Пощт щыIэу пIэрэ мыбы?.. Кино къашэрэ зэзэмызэ?.. Дэ езыр дыпщэфIэжыну ара?.. Дапщэщ хьэмэмым дыщыкIуэну махуэр?.. Мы щIыпIэм и гъунэгъуу зыгуэр щыс?.. ВАСКОВ. Иджыри зэ къытызогъэзэж: мы щIыпIэм сэ къызжевмыIауэ зы лъэбакъуэ ифчыкIынукъым. Фежьэ! ФеужьэрэкI! КИРЬЯНОВЭ. ДынодаIуэ, ныбжьэгъу старшина! СыкIуэ хъуну? ВАСКОВ. Ухуитщ. ЛIЫЖЬЫМ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ди разъездыр гугъэпсэху хъуат, зауэлIхэр ефэртэкъым, гъунэгъу жылэхэм дэсхэр нэIуасэ къащIыртэкъым, ауэ абы щхьэкIэ Iуэхур нэхъ тынш хъуакъым... Пщащэхэр Iэдэбу пхужыIэнутэкъым, къаугъэшыт, хьэщIэу сахуэкIуауэ фIэкIа пщIэнтэкъым... СощIэж, кIэух имыIэу жьыщIыгъэр кърадзыу зэрыщытар. ВАСКОВ. ЩытыкIэм къемызэгъщ! КИРЬЯНОВЭ. Унафэ щыIэщ! ВАСКОВ. Сыт хуэдэ унафэ? КИРЬЯНОВЭ. Iуэхум ехьэлIа унафэ. Абы къыщыхьащ, дзэм хэт бзылъхугъэм и щыгъынхэр сыт хуэдэ фронтми щигъэгъущыну хуиту. ВАСКОВ. Мы хъыджэбзыжь цIыкIухэри! Уи Iэпэ яхуэгъэлъагъуи: бжьыхьэ хъуху дыхьэшхыфынущ. КАПИТАНЫМ. Ди анэри апхуэдэт? ЛIЫЖЬЫМ. Хьэуэ, ар зэпIэзэрытт. Зэи къыпыдыхьэшхыкIынутэкъым, мащIэу пыгуфIыкIыну фIэкIа, ауэ щыхъукIи и плъэкIэм зихъуэжыртэкъым. Абы щыгъуэм фызабэ хъуакIэт уи анэр. КАПИТАНЫМ. Ди адэр зауэм и етIуанэ махуэм хэкIуэдащ. ЛЕЙТЕНАНТ ОСЯНИН. Псом нэхърэ нэхъыфIу абы ищIэжыр школым щекIуэкIа пшыхьрат - гъунапкъэхъумэ лIыхъужьхэм щахуэза пщыхьэщхьэрат. ОСЯНИНЭ. Дыгъуасэ хуэдэу сощIэж а пщыхьэщхьэр. Лейтенант Осянин щIалэ укIытэхт, гъунапкъэм и гъунэгъу жылэ цIыкIум и лъэс лъагъуэхэм зэгъусэу къыщыткIухьырт. ЛЕЙТЕНАНТ ОСЯНИН. Сэ иджыри балигъыпIэ сиуватэкъым, хуабжьу сыIэсэт. Уэри ужыджэр дыдэтэкъым. ОСЯНИНЭ. Пэжщ, илъэс щэщI иримыкъуа щIалэщIэхэм языхэзым сепсалъэ нэхърэ къат лъагэ гуэрым сыкъехуэхыу, дзыгъуэ зыщIэз щIыунэм сыкIуэцIрыхуамэ нэхъ къэсщтэнут. Ауэ апхуэдэу къытхуиухати... сэ... ЛЕЙТЕНАНТ ОСЯНИН. Дэ... ОСЯНИНЭ. Лейтенант Осянин зэрымыщIэкIэ сыкъыбгъурыхутэри, дызэбгъэдэсащ, ЛЕЙТЕНАНТ ОСЯНИН. Зыдгъэхъеин дышынэу... ОСЯНИНЭ. Ди нэр дымыгъэупIэрапIэу. ИтIанэ вальс трагъэуващ - ЛЕЙТЕНАНТ ОСЯНИН. Дахэу дыкъызэдэфат. ИужькIэ щхьэгъубжэм деж дызэрыщытар-щэ?! ИтIанэ... ОСЯНИНЭ. ИтIанэ унэм нэс сигъэкIуэтэжат... ЛЕЙТЕНАНТ ОСЯНИН. Сыту убзаджэт, Ритэ Муштаковэ: гъуэгу нэхъ кIыхьымкIэ сепшэжьат. ОСЯНИНЭ. НтIэ. Уэ ущымт, тутын уефэт, уефэт, уефэт. ЩыщIэбгъанэкIэ, щтэIэщтаблэу укъызэупщIу. ЛЕЙТЕНАНТ ОСЯНИН. А си Iэдэбагъым си псэр зэзгъэшхыным и гур пигъэхурт. ОСЯНИНЭ. Уеблэмэ, дыщызэбгъэдэкIыжкIэ, сэлам зэтхыжыртэкъым, ди щхьэр зэхуэтщI къудейт. Апхуэдэу си лейтенантыр гъэмахуэ хъуху кIуэжащ. АрщхьэкIэ, махуищ къудейкIэ щыIэну июным къигъэзэжри... КъызжиIат... ЛЕЙТЕНАНТ ОСЯНИН. Гъунапкъэм Iуэхур щыщIагъуэкъым, афIэкIа зыгъэпсэхугъуэ сиIэнукъым, абы къыхэкIыу, икIэщIыпIэкIэ ЗАГС-м докIуэ. ОСЯНИНЭ. Си классэгъухэм ящыщу сэращ япэу дэкIуар. ЛЕЙТЕНАНТ ОСЯНИН. Уэ нэхърэ нэхъ насыпыфIи яхэтакъым, жыIэт. Зы илъэс дэкIри, щIали дгъуэтат. ОСЯНИНЭ. Алик фIэтщат абы. ЛЕЙТЕНАНТ ОСЯНИН. Альбертт фIэтщар. Илъэс дэкIри, зауэр къэхъеящ... Ди заставэм махуэ пщыкIублкIэ зихъумэжыфащ. ОСЯНИНЭ. Жэщи-махуи фоч уэ макъыр зэхэсхырт. Заставэр бийм зэрыпэщIэтым гугъэ сигъэщIырт си щхьэгъусэр псэууэ. ЗауэлIхэр къэсыху гъунапкъэхъумэхэм заIыгъыфмэ, къару зэхуэдэкIэ бийм пэщIэувэну сыгугъэрт. Ауэ махуэхэр блэкIырт, къакъуэувэн хуей зауэлIхэр къэсыртэкъым. Апхуэдэурэ махуэ епщыкIубланэм заставэм зы фоч уэ макъи къимыгъэIуж хъуащ. ЛЕЙТЕНАНТ ОСЯНИН. Лейтенант нэхъыжь Осянин зауэм и етIуанэ махуэм хэкIуэдат, пщэдджыжьым бийр къащебгъэрыкIуэм яукIащ ар. ОСЯНИНЭ. Арати, уэ, Алик, уи анэшхуэм деж уезгъашэри, сэ штабым сыкIуащ зауэм сыдашыну селъэIуну. КАПИТАНЫМ. А си адэр… ОСЯНИНЭ. Уи адэр щыхэкIуэда, зэхэуэ гуащIэр щекIуэкI щIыпIэ дыдэрат сызыхуейр. (КАПИТАНЫР и адэм и гъусэу къотэджри, зэгъусэу йокIыж). МАЙОРЫМ. Осянинэ, отделениер нэхъ ин щIын хуейщ. ОСЯНИНЭ. Хъунщ. МАЙОР. Маргаритэ Степановнэ, уэ уи гупыр гуп гъуэзэджэщ. Фронтым Iут бзылъхугъэхэр, уэ зэрыпщIэщи, зэи гулъытэншэ хъуркъым. Абы къыхэкIыу… зыгуэрхэм щахуэмышэч къохъу. ОСЯНИНЭ. Пэжщ. МАЙОРЫМ. Штабым и командирхэм ящыщ зым, унагъуэ зэриIэм хуэдэу, щIасэ зригъэпэщащ. Дзэ советым хэт гуэрым ар къищIэри, полковникыр лъэныкъуэ иригъэзащ, сэ унафэ къысхуищIащ щIасэ бзылъхугъэм унафэ хуэсщIын хуейуэ. ЛIыжь нэхъыбэ здэщыIэ гупым згъэкIуэну. ОСЯНИНЭ. Къыбдызощтэ. МАЙОРЫМ. Комельковэ! КОМЕЛЬКОВЭ (къыIухьэри, къыпыгуфIыкIащ). Комельковэ Евгение уи унафэм поплъэ. МАЙОРЫМ (щтэIэщтаблэ къэхъуащ). Комендант! Старшина Васков! Мыр уи унафэ щIэгъэувэ! Аращ, Маргаритэ Степановнэ, Тхьэм уигъэпсэу! ЛIЫЖЬЫМ. Комельковэр хъыджэбз лъагэт, и щхьэцыр дыщафэрэ щIыфэхуу, и нэхэр щхъуантIэрэ хъуреябзэу. (ЩэкI хужьхэр къызэкъуах, хьэмэмым зыхуагъэхьэзыр) Пщащэхэр хьэмэмым къыщIэжауэ Комельковэр къауфэрэзыхь. ОСЯНИНЭ. КIуэ, яхыхьэ уэри… Нобэ фи зыгъэкъэбзэгъуэ махуэщ, зыгъэпскI уэри. КОМЕЛЬКОВЭ. Арат сызыщIэхъуэпсыр, сабейр къытщIихуу дыкъашащ... (зетIэщI) — Женькэ, псыхъуэгуащэм урещхьщ! — Женькэ, уи щIыфэм ущызэкIэщIоплъри! —Женькэ, скульптурэ тращIыкIыну уасэ иIэкъым мы уи Iэпкълъэпкъым! — Женькэ, щIагъщIэлъыншэу удэтми хъунущ уэ! — Ихье, Женькэ, музейм уезгъэшэнт! Моуэ-щэ къэдабэ фIыцIэм укIэрытрэ абджкIэ укъэщIыхьыжауэ... ОСЯНИНЭ. ТхьэIухудщ. Апхуэдизу дахэхэр насыпыфIэ мыхъуу жаIэ. КИРЬЯНОВЭ. Уи щхьэ узытепсэлъыхьыр? КОМЕЛЬКОВЭ и къэлътмакъым данэм къыхэщIыкIа щIагъщIэлъ дахэ кърех. ОСЯНИНЭ. Зэт! Сыт уи щIагъщIэлъыр формэм щIыщымыщыр? КОМЕЛЬКОВЭ. Гу зэрылъыптащи, сэ сыбзылъхугъэщ... ОСЯНИНЭ. Хъуэж уи щIагъщIэлъыр! Армэщ уздэщыIэр! КъызэрыгуэкI майкэ щыптIэгъэнущ, хабзэр аращи! КИРЬЯНОВЭ. Къэгъанэ, Осянинэ! (Комельковэм зыхуегъазэ) УцIыхубз насыпыншэщ уэ! Мыпхуэдэ Iэпкълъэпкъыр дауэ формэжьымкIэ зэрыщIэпхъумэнур, улIэмэ нэхъыфIщ абы нэхърэ! Утыкур бгъэдахэу уитын хуейуэ арат уэ, Женькэ! УокIуэд! УокIуэд! ЛIЫЖЬЫМ. Уи анэр цIыху пхъашэт. АпхуэдизкIэ ткIийти, ныбжьэгъуи иIэтэкъым. ОСЯНИНЭ. (Комельковэм бгъэдохьэри) Ауэ Женькэ ныбжьэгъу хуэхъуат. Гугъуи демыхьрэ зэгурымыIуэныгъи я зэхуаку къыдэмыхъуэу. Спхуейт... КОМЕЛЬКОВЭ. НакIуэ. ОСЯНИНЭ. Дауэ ухъурэ? КОМЕЛЬКОВЭ. Си закъуэщ иджы. Си анэри, си шыпхъури, си дэлъху цIыкIури пулеметкIэ яукIащ. ОСЯНИНЭ. Зэхэуэм хэкIуэдауэ ара? КОМЕЛЬКОВЭ. Хьэуэ. ЯукIауэ аращ. Комсоставым щыщ унагъуэхэм къатеуэри, зэрызыххэу яукIащ. Сэ эстонкэ гуэрым ди унэм пэмыжыжьэу сыщигъэпщкIури, сыкъелащ, ауэ псори слъэгъуащ. Псори! Иужьрейуэ яIэщIэкIуэдар си шыпхъу цIыкIурат. ОСЯНИНЭ. Женькэ, къызэдаIуэт зэ, а полковникыр-щэ? Дауэ пхуэщIа апхуэдэу, Женькэ... КОМЕЛЬКОВЭ. Сыхуейт апхуэдэу! Уи гъэсэныгъэ дерсхэм иджыпсту щIэбдзэну, хьэмэрэ дыгъуэлъыжмэ? ОСЯНИНЭ. Арамэ, щхьэусыгъуэ гуэр иIэщ абы! КОМЕЛЬКОВЭ. Дауи! Уэри аракъэ? ОСЯНИНЭ. Си щхьэгъусэр лIа нэужь, IэнатIэ, лэжьыгъэ сиIащ, абы къыдэкIуэуи, сигу къыщыуша лъагъумыхъуныгъэм щхьэусыгъуэ иIащ, дауи. ЦIыхур щэхуу, гущIэгъуншэу слъагъу мыхъуу зезгъэсащ. КОМЕЛЬКОВЭ. Си анэм къызжиIэрт: «Женечкэ, полковник Лужиным и гъусэу уалъэгъуащ. Абы мыгъуэ щхьэгъусэ, унагъуэ иIэщ, Женечкэ. ЕмыкIукъэ ар?» Лужин сыхуей хуэдэ!.. ЛУЖИН къохьэ. КОМЕЛЬКОВЭ ЖЕНЯ мажэри IэплIэ хуещI. (ОСЯНИНЭ IуобзэхыкIыж). ЛIЫЖЬЫМ. И унагъуэр фIэкIуэда нэужь, Женькэ зытехьа лъагъуэр щIагъуэтэкъым, ауэ и насыпти ЛУЖИН. Е и насыпыншагъэти… ЛIЫЖЬЫМ. полковник Лужиным ирихьэлIат… Гъусэ ищIри, тригъэуащ, игъэфIащ… Абы щыгъуэм апхуэдэ зыгуэр хуэныкъуэт ар, и щхьэр иригъэщIыну, хуэгъыну, зыхуигъэфIэну... КОМЕЛЬКОВЭ. Iейуэ сыхуейщ сэ Лужин… ЛУЖИН. Ухуейщ, ухуейщ, сэлэт Комельковэ… КОМЕЛЬКОВЭ. Си анэм къызжиIэрт: «Женечкэ, полковник Лужиным и гъусэу уалъэгъуащ… ЛУЖИН. Ай-ай … КОМЕЛЬКОВЭ. «Абы унагъуэ иIэщ»… ЛУЖИН. Ар сыт емыкIу, хъыджэбз цIыкIу?… КОМЕЛЬКОВЭ. «Апхуэдэу хъурэ, Женечкэ?» ЛУЖИН. Дауэ хъун апхуэдэу, Женечкэ? Сытуи пщIыну уэ ар?.. КОМЕЛЬКОВЭ. Сыхуейщ… ЛIЫЖЬЫМ. Зэрыхъун хуейм хуэдэу хъуащ ар... сыту жыпIэмэ, абы и гур къызэрыгъуэтыжын хуейт, зауэр щыета дунейм… ОСЯНИНЭ. (Бауэбапщэу утыкум къолъадэри, КОМЕЛЬКОВЭМРЭ ЛУЖИНЫМРЭ зыкIэщIегъэкIуэтри, бжэм ину тоуIуэ) Ныбжьэгъу комендант!.. Ныбжьэгъу старшина!.. Бжэр Iуах. Васков бжэщхьэIум тетщ — джэлэфейрэ вакъэ хьэмбыIурэ щыгъщ, бозым къыхэщIыкIа джанэри щитIэгъащ. И нэ жейбащхъуэхэр зэтрегъауэ: ВАСКОВ. (жейбащхъуэщ) Къэхъуар сыт? ОСЯНИНЭ. Нэмыцэхэр мэзым къыщIыхьащ! ВАСКОВ. Зэт... (дзыхьмыщI-дзыхьмыщIу къеплъащ: къыдэгушыIэрэ-къыдэмыгушыIэрэ зригъащIэу) Дэнэ щыфщIэр? ОСЯНИНЭ. Сэ слъэгъуащ, тIу мэхъу. Iэщэ яIыгъщ, гу къызэрылъамытэн щыгъынкIэ хуэпащ... ВАСКОВ. Зэ, мыдеж къыщызэжьэ. (Старшинар унэм щIыхьэжри, шырыкъур щитIэгъащ, гимнастеркэр епIэщIэкIыу зытридзэри, къыщIэжащ и бгырыпхыр ипхэурэ. Осянинэр здэщыта дыдэм деж щытщ, и шырыкъуитIыр и дамащхьэм едзэкIауэ. Старшинар абы и лъакъуэм йоплъ: ахэр псыфщ, плъыжьщ, нэгъабэрей зы тхьэмпи и лъэхъуамбэшхуэм кIэрыпщIащ). КъызэрыщIэкIымкIэ, мэзым лъапцIэу ущIэтщ, уи вакъэр IэкIэ къыбохьэкI, апхуэдэу иджы зауэм зэрыIутыр). Iэщэр фыузэд, тревогэ щыIэщ! Кирьяновэр си деж къэгъакIуэ. ПсынщIэу! (ОСЯНИНЭР гуэным мажэ, езым телефон зыщIэт гъущI гъуэгу будкэм еунэтI). ЗапытщIэфамэ арат, иджы!.. «Сосна!» «Сосна!»... Е, гъуэгу махуэрэ!.. Мыхэр е мэжей, е къутащ мыр... «Сосна!»!.. «Сосна»!.. — «Соснар» нодаIуэ. ВАСКОВ. ЕпщыкIубланэращ нэпсалъэр. Ещанэм сыпыщIэ. ПсынщIэу, псынщIэу!.. — Изот, умыкIий... — Васков, уэра? Сыт фи хъыбарыр? ВАСКОВ. Сэращ, ныбжьэгъу Ещанэ. ДыщетIысэха мэзым и Iэгъуэблагъэм нэмыцэхэр къыщыунэхуащ. Нобэщ щытлъэгъуар, тIу мэхъу... — Хэт къэзылъэгъуар? ВАСКОВ. Сержант нэхъыщIэ Осянинэм... (КИРЬЯНОВЭР пилоткэ щхьэрымыгъыу къыщIыхьащ) ВАСКОВ. КъызэщIэсIэтащ псори, ныбжьэгъу Ещанэ. Мэзыр щIэтщыкIынщ жызоIэ... — Васков, уемыпIэщIэкI мэзым ущIыхьэну. Егупсысын хуейщ: а уздэщыIэ щIыпIэр зыхъумэн къыумыгъанэми, уи щхьэм Iэ къыдалъэнукъым. Сыт я шыфэлIыфэ уи нэмыцэхэм? ВАСКОВ. ЩIэзыуфэ щыгъынхэр ящыгъщ, автомат яIыгъщ. ТIасхъэщIэхыу къыщIэкIынущ... — ТIасхъэщIэх жыпIа? Сыт хуэдэ тIасхъэу пIэрэ уи деж къыщалъыхъуэр? Уи фызым и гупэ узэрыхэлъра зрагъэщIэну зыхуейр? Щхьэ зыри жумыIэрэ, Васков? Сыт ухэзыгъэгупсысыхьар? ВАСКОВ. Къэубыдын хуейуэ къызолъытэ, ныбжьэгъу Ещанэ, жыжьэ нэмыс щIыкIэ. — Узахуэщ. ЦIыхуитху гъусэ щIыи, ежьэ! Я лъэужьыр ффIэмыкIуэд щIыкIэ. Кирьяновэр щыт абдеж? ВАСКОВ. Щытщ, ныбжьэгъу... — Етыт трубкэр. КИРЬЯНОВЭ. СынодаIуэ. СынодаIуэ! ГурыIуэгъуэщ! Хъунщ! Хъунщ! Хъунщ! ЦIыхуитху гъусэ пхуэсщIын хуейуэ унафэ щыIэщ! ВАСКОВ. …Ари нэгъакIуэ - нэмыцэхэр зылъэгъуар. КИРЬЯНОВЭ. Осянинэр я нэхъыжьу нежьэнхэщ. ВАСКОВ. Арамэ, къегъэувэкIыт. ОСЯНИНЭ. КъеувэкIахэщ, ныбжьэгъу старшина. ВАСКОВ. Сыт жысIэн? Зым и щхьэцыр шы сокум хуэдэщ, и бгым къэсрэ къелэлэхыу, адрейм зи Iуэху зэрихуэр гурыIуэгъуэкъым. «Щхьэмыгъазэ» гуп! ЩIэщыкI уэ мэзыр абыхэм я гъусэу! Нэмыцэ къэубыд! Фыхуитщ! ОСЯНИНЭ. Женя, Галя, Лизэ... Старшинар къызэхэуауэ: ВАСКОВ. Зэ умыпIащIэт, Осянинэ! Нэмыцэщ къэдубыдыну дыкIуэр — бдзэжьейкъым. НэгъуэщI мыхъуми, Iэщэ ягъэуэфу пIэрэ мыбыхэм... ОСЯНИНЭ. Ягъэуэф. ВАСКОВ. (И Iэр ещIри) Иджыри зы Iуэхугъуэ щыIэт. Нэмыцэбзэ зыщIэ къыфхэт? ГУРВИЧ. (Макъ цIурэкIэ зыр къыхокIиикI) Сэ сощIэ. ВАСКОВ. Сыт сэ жыхуэпIэр? Сыт сэр? Жэуап пыухыкIа къызэт! ГУРВИЧ. Сэлэт Гурвич. ВАСКОВ. Охьо-хьо! «Уи Iэр Iэт», - дауэ нэмыцэбзэкIэ? ГУРВИЧ. Хенде хох. ВАСКОВ. Пэжщ. НакIуэ уэри, Гурвич... (Тхури къеувэкIащ). ВАСКОВ. ЖэщитI-махуитIкIэ дожьэ. Гъуэмылэрэ фочышэхэмрэ къыздэфщтэ. ФыкIуи фигу къыщIевгъэубыдэ... фIыуэ фышхэ жысIэу аращ. Тэмэму зыфхуапэ, зыхуей хуэзэу зывгъэхьэзыр. Дакъикъэ 40 фиIэщ. Фыщхьэхуитщ! Кирьяновэмрэ Осянинэмрэ си гъусэу фынакIуэт! ВАСКОВ. (Картэр кърехри, зэкIуэцIех) Мы гъуэгуращ жывоIэ щыфлъэгъуар? ОСЯНИНЭ (IэпэкIэ тоIэбэ). Мис мыбдеж. Сэ къызблэкIри, гъуэгушхуэмкIэ яунэтIащ. ВАСКОВ. ГъуэгушхуэмкIэ жыпIа? Уэ сыт пщэдджыжьыпэм сыхьэтиплIым мэзым щыпщIар? УпщIэр жэуапыншэу къигъэнащ ОСЯНИНЭМ. КИРЬЯНОВЭ (къепсалъэм емыплъу). ХэкIуэтауэ Iуэху гуэрхэр сиIэт… ВАСКОВ. Жэщыбгми?.. (Губжьащ.) Жэщым Iуэху фиIэ хъумэ, фыздэкIуэн фхуэсщIащ сэ! Хьэмэрэ фыщIэмыхуэу ара? Я напщIэр зэхауфащ тIуми. КИРЬЯНОВЭ. ПщIэрэ, ныбжьэгъу старшина, цIыхубзым жэуапыншэу къигъанэ хъун упщIэхэр щыIэщ. ВАСКОВ (кIийри IэгукIэ стIолым теуащ). ЦIыхубз щыIэкъым мыбы! ЩыIэкъым! ЩыIэр зауэлIхэмрэ командиррэщ? Зауэ йокIуэкI, ар иухыхуи цIыхубзрэ цIыхухъурэ зэхэдгъэкIынукъым, псори дызэхуэдэщ... КИРЬЯНОВЭ. Уи джанэ пщампIэр иджыри къыздэсым упхакъым, ныбжьэгъу старшина... мыцIыхухъу-мыцIыхубз... ВАСКОВ. (Жэуапыншэу) … ГъуэгушхуэмкIэ яунэтIащ жыбоIэ-тIэ? ОСЯНИНЭ. Ардыдэщ… ВАСКОВ. Емынэм ихурэт абыкIэ: абыкIэ ягъазэмэ, псынщIэ дыдэу яубыдынущ ахэр. Хьэуэ, командир нэхъыщIэхэ, гъуэгумкIэ кIуэн Iуэху зэрахуэкъым абыхэм… ОСЯНИНЭ. Дунейр пшагъуэт, щIыпIэр къуацэчыцэт… АбыкIэ кIуэуэ къысщыхъуащ… ВАСКОВ (гъумэтIымэу). Къыпщыхъуамэ, дыуэ щIы… ЗэкIуэцIыпха гуэр яIыгът, жыпIа? ОСЯНИНЭ. НтIэ. ЗэрыхуэзгъэфащэмкIи, хьэлъэ дыдэт: Iэ ижьымкIэ яIыгът. Дахэу зэкIуэцIыпхат. ВАСКОВ (зыкъомрэ щыта нэужь, тутын къызэкъуихри, икIукI-къикIукIыу ефэн щIидзащ). Си гугъэмкIэ, тротилт абы яIыгъыр. Арамэ, гъуэгушхуэмкIэкъым абыхэм здаунэтIар, Кировскэ гъущI гъуэгумкIэщ. КИРЬЯНОВЭ (дзыхь имыщIыщэурэ). Сэ мы щIыпIэхэр фIыуэ соцIыху, бгъэгукIэ къыщызмыпщыхьа иIэж хъункъым. А жыхуэпIэ Кировскэ гъуэгур апхуэдэуи гъунэгъукъым. ВАСКОВ. ИтIани мэзщ мыр. Мэз Iув дыдэ: цIыхуитI сщIэркъыми, зы армэ псо зыщигъэпщкIуфынущ. ОСЯНИНЭ (къэгузэвауэ). Апхуэдэу щыщыткIэ... апхуэдэу щыщыткIэ, гъущI гъуэгу хъумакIуэхэм хъыбар егъэщIэн хуейщ. ВАСКОВ. Кирьяновэм иригъэщIэнщ. Сэ махуэ къэс сыхьэтыр тIощIрэ дакъикъэ 30-м ди Iуэху зытетымкIэ доклад сщIынущ, къызэрызэджэр «ЕпщыкIубланэщ». ПщэдеймыщкIэ къэдгъэзэжынущ. ЗыгуэркIэ дыгувэ хъуми, бэрэжьейм нэхъ фIэмыкIыу мыбдеж дыщыIэнущ. Уэри кIуэ, Осянинэ, зыгъэхьэзыр. Махуэ псом гъуэгу дытетынущ. ЛIЫЖЬЫМ. КъыщIэкIахэщ. КъыщIэкIа щхьэкIэ... е гъуэгу махуэрэ, и ныкъуэм лъэпэд пIащIабзэхэр ящыгъщ, иныкъуэхэм я лъакъуэешэкIыр пщэдэлъ цIыкIу хуэдэ къешэкIауэ аращ. ВАСКОВ. Щыфхыт фи шырыкъухэр!.. (Зыщахри, лъакъуэешэкIхэр я лъакъуэм кърашэкIыу щIадзэ. Васков мыарэзыуэ зэпеплъыхь). ВАСКОВ (я пащхьэм къыщикIухьурэ). ЗекIуэм щынэхъыщхьэр сыт? ЗекIуэм щынэхъыщхьэр - лъакъуэрщ. Абы вакъэр зэрылъыгъырщ зэлъытар и зекIуэкIэ хъунур! КъывгурыIуа? ТХУМИ. ГурыIуэгъуэщ, ныбжьэгъу старшина. ВАСКОВ. ГурыIуэгъуэмэ, IэбэгъуищкIэ шырыкъур лъыфтIэгъауэ щытын хуейщ. Зэ! ТIэу! Сэлэт Четвертак, умыпIащIэ! Щэ!.. Зевгъэсащ, зылъыфтIагъэ! ОСЯНИНЭ. (Псом япэ) Сыхьэзырщ, ныбжьэгъу старшина! ВАСКОВ. АдэкIэ фыкъэдаIуэ. Бийм фыщымышынэ. Езыхэр къытщошынэ ахэр, аращ ди щIыбагъ къыдэтурэ къыщIэкIуэр. Ауэ гъунэгъуу зыбгъэдэвмыгъэхьэ, бийхэр цIыхухъу Iэчлъэчхэщ, IэщэкIэ фIыуэ зэщIэузэдахэщ. ЗыгуэркIэ гъунэгъу фхуэхъумэ, зывущэхуи нэхъыфIщ. ФыкъыщIэпхъуэ хъунукъым: щIэпхъуэжа сэлэтым тебгъапсэу уеуэн нэхъ гухэхъуэ сыт щыIэ! ТIурытIу фIэкIа фызэгъусэнукъым. Зыр зым иужьу докIуэ, зыкъыкIэрывмыгъэху, фымыуэршэр. Гъуэгу дрихьэлIэмэ, сыт фщIэн хуейр? КОМЕЛЬКОВЭ. ДощIэ ари. Зыр - ижьырабгъумкIэ, адрейр сэмэгурабгъумкIэ увын хуейщ. ВАСКОВ. ГъэпщкIуауэ. ФызэрызэкIэлъыкIуэнур мыпхуэдэущ: щIыпIэр къаплъыхьу япэ итынущ сержант нэхъыщIэ Осянинэмрэ иджыри зы сэлэтрэ. Метри I00 хуэдизкIэ абыхэм яужь итынур гупым и нэхъыщхьэращ - сэрэ зэдзэкIакIуэмрэ. МетрищэкIэ тпэIэщIэу иужьрей сэлэтитIыр нэкIуэнущ. Фызэбгъурыту фрикIуэнукъым, фызэрылъагъумэ, аркъудейщ. Ди бийхэм щыщ къэфлъагъумэ е фызыщIэупщIэн щыIэмэ... ХьэкIэкхъуэкIэм е къуалэбзухэм хуэдэу хэт кIиифрэ? (Пщащэхэр мэдыхьэшх). Сэ си фIэщу сыщIоупщIэ! Мэзым ущIэту уи макъкIэ укIий хъунукъым: нэмыцэхэми тхьэкIумэ ятетщ. ГУРВИЧ (темыгушхуэу). Сэ шыдым хуэдэу сокIииф: и-а! и-а! ВАСКОВ (губжьауэ). Шыд щызекIуэкъым мыбы. ФыкъэдаIуэ, бабыщым и макъ вгъэIуу зевгъасэт. (Ярегъэлъагъу) (Хъыджэбзхэр дыхьэшхащ, езы ВАСКОВРИ къыпогуфIыкI). Апхуэдэущ бабыщыхъум бабыщ анэр къызэрыриджэжыр. Феплъыт, фхуэщIыну пIэрэ? (Хъыджэбзхэм макъ къагъэIу). ЛIЫЖЬЫМ. Бабыщыхъум хуэдэу кIийт пщащэхэр. Псом хуэдэу Комельковэ Женя егугъупэрт... ВАСКОВ. Эээх, дахащэщ хъыджэбзыр, дахащэ, си щхьэр игъэунэзэнкIэ зыхуэIуа щыIэкъым. ЛIЫЖЬЫМ. Пэжщ, псом нэхъыфIу бабыщым хуэдэу джэр Осянинэрат. ВАСКОВ. Иджыри зы яхэтт нэхъыфIу къехъулIэу, Лизэу пIэрэт. ЛIЫЖЬЫМ. Iэпкълъэпкъ зэкIужу, зыIэщIэлъу, нэхъ иныр и плIэрами и шхужьрами къыпхуэмыщIэу... Iэзэу зыпищIыжыфт бабыщыхъум и макъым. КIэщIу жыпIэмэ, апхуэдэхэр сытым дежи къыпхуэсэбэпынущ, ухуеймэ, щIэщIи гъавэ. ВАСКОВ. (Хъыджэбзхэм захуегъазэ) Къэвгъанэт. Мыдэ фыкъаплъэ. Иджы дэ Вопь гуэлыр здэщыIэмкIэ дыкIуэнущ. Нэмыцэхэр гъущI гъуэгумкIэ кIуэмэ, гуэлым блэмыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Абыхэм гъуэгу нэхъ кIэщIыр яцIыхукъыми, дэ япэ дынэсынущ а щIыпIэм. Верст тIощI хуэдиз зэпытчын хуейщ, шэджагъуэхэм дынэсыну хузогъэфащэ. Уеблэмэ зыдгъэхьэзырынуи зэман диIэнущ. Абыхэм и хъуреягъыр къакIухьыху верст щэныкъуэкIэ къекIуэкIынущ. Псори гурыIуэгъуэ, сэлэтхэ? ЧЕТВЕРТАК (мэщатэ). ГурыIуэгъуэщ… ВАСКОВ. Iуэхур зэфIэкIыху си къуэдзэу щытынур сержант нэхъыщIэ Осянинэрщ. Иджыри зэ фигу къызогъэкIыж дгъэIуну макъым къикIыр: тIэу къэкIиймэ - бийр къэслъэгъуащ; щэ къэкIиймэ - псори си деж фыкъакIуэ! Хъыджэбзхэр зэщIэдыхьэшхащ. ЛIЫЖЬЫМ. Ар сыхуейуэ жысIэу арат: тIэу къэкIиймэ, щэ къэкIиймэ... Хъыджэбзхэр згъэдыхьэшхын щхьэкIэт щIыжысIэри, згъэдыхьэшхыу къэзгъэжанын папщIэ... ВАСКОВ. Япэ итынухэр фынежьэ! Гъуэгу дытохьэ. (ВАСКОВРЭ ГУРВИЧРЭ къохьэ). ВАСКОВ КъэувыIэт! (ГУРВИЧ къэхъуар къыгурымыIуэу къоувыIэ). (ЙотIысэх.) ЛъакъуапIэр плъагъурэ? Уей иныфI дыдэм: плIыщIрэ еплIанэ вакъэщ, нэхъ цIыкIукъым... Ар зи лъакъуапIэр метритI хъу хъунщ... Апхуэдэ иныжь фэ фыпэщIэхуэмэ... IэщэкIэ фызэщIэузэдами... хъунукъым ар... Мис иджыри зы! Аращ, мыбыхэм гуэлым къыпакIухьынущ... (Игу хэхъуэу). Къедгъэжыхьынкъэ а нэмыцэжьхэм! Ауэ сытми къедгъэжыхьын, верст 40 мыбдеж щылъ лейуэ пкIуну? ЛIЫЖЬЫМ. Ееее, а Гурвичи! Шыбз ныкъуэлIэм хуэдэу ещIэкъуауэу кIуэрт, фоч лъэдакъэр илъэфу. Сеплъщ-сеплъри, сфIэгуэныхь хъуат. ЦIыхухъу щызэпэубыда мы зэманым унагъуэ ихьэнуи къыхуихуэнукъым жысIэри... ВАСКОВ. Уи адэ-анэр псэу хьэмэрэ узеиншэ? ГУРВИЧ. Сызеиншэ?.. Сызеиншэу къыщIэкIынущ. (ПогуфIыкI). (Экраным къредзэ я унагъуэ видеохэм ящыщ: Гурвич Соня и сабиигъуэм и адэм и гъусэу пщIантIэм дэту). ВАСКОВ. ПщIэ си гугъэкъым? ГУРВИЧ. Мыпхуэдэ лъэхъэнэм абы шэч къытезымыхьэ щыIэ, ныбжьэгъу старшина? ВАСКОВ. Захуагъэщ... ГУРВИЧ (и плIэ гъурыр игъэсысри, пщIэхэлъ фочыр зригъэзэхуэжащ). Минск щопсэу си адэ-анэр. Абы Iуэхур щымыщIагъуэу зыхэсхащ... ВАСКОВ. Адрейхэм нэхърэ щынэхъ Iей хъункъым… ГУРВИЧ. Абы лагерь гуэрхэр щыIэу зыхэсхащ, цIыхухэр щагъэлажьэу… ВАСКОВ. Я хъыбар пщIэуэ ара? ГУРВИЧ. Хьэуэ, сыт жыпIэр?.. Сэ Москва сыщеджэрт, сессием зыхуэзгъэхьэзыру, мыр къэхъуащ… ВАСКОВ. Ара?.. (ДзыхьмыщIу хуеплъэкIащ) Журт лъэпкъым къыхэкIа уи адэ-анэр? ГУРВИЧ. Дауи, аращ. ВАСКОВ. «Дауи аращ», - жыпIа… (Губжьауэ пэпщащ) Ар апхуэдэу къызэрыгуэкIыу щытамэ, сыноупщIрэт... (Щымщ). ГУРВИЧ (хощэтыкIри). ЩIэпхъуэжыну хунэсауэ пIэрэ… Сценэм гъущI кIапсэ банэкIэ къэIулIыхьа зэпэплIимэ кърагъэувэ. Гъэру яубыдахэр здэщыIэ лагерь щыгъынкIэ хуэпауэ тIу итщ: ГУРВИЧ СОНЯ и АДЭМРЭ И АНЭМРЭ, абыхэм мывэ къутахуэхэмкIэ блын дращIей. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Дауэ ущыт, Сонечкэ, ди хъыджэбз дыщэ! ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Сонечкэ! ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Хуэму, зышыIэ!.. Сэ си фIэщ мэхъу фронтым дыпэIэщIэми, гъущI кIапсэкIэ дыкъаухъуреихьами, ди письмор уи деж зэрынэсынур. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Ауэ уи жэуапыр дэ къытIэрыхьэжыну мыгъуэкъым… ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Дэ куэдрэ дагъэпсэунукъым. Ди иужьрей махуэхэр зэрыкIуар пщIэну дыхуейщ. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. А хъыбарыр пIэрыдгъэхьауэ тщIэмэ, ди гур псэхунут. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. I94I гъэм июным и 28-м, зауэм и ебланэ махуэм Гитлер и дзэр Минск къыдыхьащ. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Шынагъуэ дыдэт а махуэр. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Ауэ цIыхур зэхэзехуэн хъуауэ жысIэфынукъым. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Пэжщ. Сэри жысIэркъым апхуэдэу! ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Ди къалэм къыщыхъур цIыхухэм занщIэу къагурыIуакъым. Дэнэ щащIэнт абы къэхъуну псор! ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Сэ занщIэу сыгужьеят. Япэу си гур здэжар уи дежщ. Зэ закъуэ услъагъужу, уи натIэм ба хуэсщIарэт, уи нэхэм сыщIэплъэжарэт. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. ИтIанэ дызэгупсысыжри, дыщыгуфIыкIащ уэ щIыпIэ шынагъуэншэ узэрыщыIэм. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. НтIэ-нтIэ! Пщэдджыжьыпэращ жейм сыщыхилъэфар. Сыкъыщыушам, си гур хьэлъэ гуэрым иIыгът. Сэ зыхэсщIащ хамэщI сызэрыщыIэр. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. А пщэдджыжьым, Совет властым и лъэхъэнэ лъандэрэ зэхэзмыхауэ, сызэрыжуртыр къызахъуэнащ. Нэмыцэхэр машинэшхуэм ису щыблэжым: «Juden kaputt!», - жаIэурэ кIийрт. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Ди гъунэгъухэми къыдахъуэнащ ар. ПщIантIэр къэзыпхъэнкIым и фызыр ди щхьэгъубжэ лъабжьэм щIэту жиIэу зэхэсхащ: "Тхьэм и шыкуркIэ, журтхэм я кIэухыр къэсащ". Щхьэ апхуэдэу жиIэрэт абы, Соломон? И къуэм и щхьэгъусэр журтт абы, я деж кIуэрти и къуэрылъхухэр зригъэлъагъурт. Абы я гугъуи къысхуищIащ Iэджэрэ. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Ди гъунэгъу Аленушкэ пцIыхужрэ? Илъэсих хъууэ хъыджэбз цIыкIуи иIэу. Ар тIэкIурэ къыткIэлъыплъащ. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Пэжщ, итIанэ ди бжэм къытеуIуэри: "Пщыхьэщхьэ хъуху фи хьэпшыпхэр зэщIэфкъуэ, сэ мы фэтэрым сыкъоIэпхъуэ", къыджиIат. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. «Хъунщ, абы щыгъуэм дэ ууейм дыIэпхъуэнщ». ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. "Хьэуэ, фэ пщэфIапIэм къыпыт къуэдзэщым фыщIэсынуращ!"- жиIащ. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Дауэ мыхъуми, щхьэщIэIупIэ гуэр хуит къытхуищIат. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Ауэ сэ здакъым, е щхьэгъубжэ хэлътэкъым, е хьэку щIэттэкъым. Ди псыр паупщIати, псыхьэ сыкIуауэ... ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Сэри лэжьапIэм сыщыIэт, сылажьэт а махуэм... ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Къыщызгъэзэжам ди бжэ IункIыбзэр хакъутыхьри... ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Ди щыгъынхэри ягъэIэпхъуат. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. ИтIанэ жеIэ: "Диваныр си деж къыщIэзнащ, фи пэшыжь цIыкIум щIэхуэнукъым". ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Дауэ мыхъуми псэупIэ гуэр къыдитакъэ?! ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Дауэ мыхъуми къыдитащ псэупIэ гуэр! ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. ИтIанэ, Сонечкэ, сэрэ нэгъуэщI зы журт дохутыррэ дыкъыIуагъэкIащ лэжьапIэм. Иужьрейуэ къэзлэжьа мазэ хьэкъым сыщыщIэупщIэм отделенэм и унафэщIым къызжиIащ: "Сталин къыврет Совет властым къыщывлэжьар. Москва фытхэ". ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Сэ къызгурыIуар зыщ - журтхэр Урысейм ишын хуейуэ жызыIэхэм нэмыцэхэм я пащхьэ зыщагъэпудыж. Ахэр къызэрыгуэкI цIыхут, зэгъунэгъуу дыпсэуат, зэхущытыкIэфIхэр ди зэхуаку дэлъу... ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Зэныбжьэгъугъэ! ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Соломон, зыкъэщIэж, сыт хуэдэ ныбжьэгъугъэ! ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Абы иужь кIэщIу къэIуащ журтхэр зэрырашым и хъыбар. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Дауэ къыпщыхъурэ?! ПсынщIэу ди гъунэгъухэм я деж сежэкIри, селъэIуащ зауэр иухрэ уэ укъекIуэлIэжмэ, ди хъыбар къыпхуаIуэтэну. Сыкъагъэгугъащ, Сонечкэ! ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Ди хьэ цIыкIум, Тобик, и гуапагъэр сигу къинащ, иужьрей пщыхьэщхьэм абы зыкIэ зыкъыскIэрикухьырти... кхъыIэ, укъэкIуэжмэ, IэфIу гъашхэ, журт лIыжьым и гуапэ зэрищIам щхьэкIэ. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. ПсынщIэ дыдэу нэмыцэ унафэ къыдэкIащ журтхэр гъуэгум щызекIуэну хуимыту. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Ди бгъэгум дамыгъэ гъуэжь хэлъын хуейт, хьэмэмхэм, амбулаторэхэм дыкIуэну, транспорткIэ дызекIуэну, кино деплъыну дыхуиттэкъым... ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Апхуэдэуи тхъуцIынэ, джэдыкIэ, мамкъут, щIакхъуэ, лы, хадэхэкI, кIэртIофыр хэмыту, къэтщэхуну хуитыныгъэ диIэкъым. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Иджыпсту дыздрагъэтIысхьа щIыпIэр къалэ бгынэжащ, дэ духуэжын хуейуэ аращ. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Къалэр гъущI кIапсэкIэ къэухъуреихьауэ щытынущ, абы дэкIыр занщIэу яукIынущ. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Сыту гъащIэ гугъу къэдгъащIэр, си хъыджэбз цIыкIу, пасэрей геттом дыдэсу. ДыкъыщыдэкIым илъэс 20-кIэ сыщылэжьа къалэм сыкърикIуэрт. СыкъимыцIыхуу зы унэгуащэ дэстэкъым абы... ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Зы хьэ дэттэкъым жыIэ… ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. ГъущI кIапсэхэмкIэ къегъэбыдэкIа щIыпIэм сыкъыщихутам сызэгупсысар пщIэрэ, Сонечкэ? ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Сыгужьеин си гугъащ… ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. АрщхьэкIэ, мы былымыIуэм сыкъэса нэужь... ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Ди псэр тыншыжащ… ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Уимыгугъэ унэIутыпсэ тIуту. Хьэуэ. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Хьэуэ-хьэуэ. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Дэ дыкъызыхэхуар дэ тхуэдэ цIыху гупщ, зыри нэбгъузкIэ къыдэплъкъым, ди нэм къыщIэплъэн шынэркъым. Псоми зыщ ди натIэ хъунур. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Мы гъэрыпIэм ис псоми мыхъур ттетщ, фашистхэм къыттрагъэувауэ. Псоми зэратетра хъунщ апхуэдизу гум щIыхэмыхьэр! ИтIанэ хуитыныгъэ зимыIэ былым гуэру зыкъэзбжыжыркъым.... ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Хьэуэ, ди Iуэхур нэхъыфIщ, псори дылIэжынущ... ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Аращ, си хъыджэбз цIыкIу! ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Сэ иужьрейуэ мыр бжесIэжыну сыхуейт. Сэ зэи журту зыкъэслъытэжакъым. СызэрыцIыкIурэ урысхэм я гъусэу сыкъэхъуащ… ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Сэри Пушкин, Некрасов сымэ фIыуэ слъагъурт. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Сонечкэ, си ныбжьыр илъэс I2-м иту си адэм Америкэ Ипщэм дыIэпхъуэну щыжиIам, здатэкъым: "Урысейм сикIыу зыщIыпIи сыкIуэнукъым, зыстхьэлэжым нэхъыфIщ абы нэхърэ», - жысIэри. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Мы махуэхэм хуабжьу си гур ящIоуз журт лъэпкъым. Анэ лъагъуныгъэщ абы хузиIэр. Япэм сыщытакъым апхуэдэу. Иджы зыхэсщIэ гурыщIэр уэ сызэрыпхущытым ещхьщ, си хъыджэбз. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Пэш цIыкIухэм цIыху пщIырыпщI щопсэу: зи нэм имылъагъуж лIыжьи, быдзышэ ефэ сабии, цIыхубз уэндэгъуи. Сэ цIыхум и нэм сыщIэплъэурэ къасщIэу арат узыфэр - глаукомэ, катарактэ. Иджы апхуэдэу сыщIэплъэжыфкъым цIыхухэм я нэм, абы щIэслъагъуэр я псэм щыщIэрщ, я псэ къабзэрщ. Сонечкэ! Хьэзаб зытелъ псэ нэщхъейщ ахэр, залымыгъэр къызытегуплIа псэщ! ИтIани хахуэщ ахэр, Соня! ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Соломон, куэдщ ар... ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Сэ бжесIэну сызыхуейращ. Тыншкъым мы тхыгъэр бухыну, мыр ди иужьрей зэпсэлъэныгъэщ. Мыр недхьэхьа нэужь, дэ дыщыIэжынукъым, уэ къэпщIэнукъым ди кIуэдыкIэ хъуар. Иджы иужь дыдэу сэлам зэтхыжу аращ. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Сыт бжесIэжын игъащIэ псокIэ дызэрызэхуэмызэжынур сщIэуэ сэлам щосхыжкIэ?! Мы махуэхэми си гъащIэ псоми гурыфIыгъуэу хэтар уэзыращ. Жэщ къэс си нэгу къыщIыхьэжырт уи сабий щыгъынхэр, япэ тхылъ цIыкIухэр, япэу школым узэрыкIуар. Псори, псори, дунейм укъыщытехьа япэ махуэм щегъэжьауэ, иужьрейуэ къытхуэбутIыпща тхыгъэм нэс гукIэ щIэспщытыкIыжащ. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. НасыпыфIэ дыдэ Тхьэм уищI фIыуэ плъагъухэмрэ укъэзыухъуреихьхэмрэ урагъусэу! ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Уи анэм нэхърэ иджыпсту нэхъ уи гъунэгъухэм урагъусэу. Сэ къысхуэгъэгъу. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. ЩIыбымкIэ цIыхубзхэм я гъы макърэ полицэм и кIий макърэ къыщоIу, сэ мы тхыгъэр зэрысIыгъым щхьэкIэ нэгъуэщI дунейм сыхэту къысщохъу, мо хьэзабкIэ гъэнщIар лъэныкъуэкIэ къэнауэ. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. СыткIэ сухыну мы тхыгъэр? Дэнэ къисхыну къару? ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Зы псалъэ щыIэкъым сэ уэ пхузиIэ лъагъуныгъэр къризгъэлъагъуэфыну. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Ба хузощI уи нэхэм, уи натIэм, уи щхьэцым. ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. Зэи зыщомыгъэгъупщэ, махуэфIи махуаи дэ ди лъагъуныгъэр пщIыгъунущ. ГУРВИЧ СОНЯ И АНЭМ. Псэу, псэу, псэу… ГУРВИЧ СОНЯ И АДЭМ. ИгъащIэкIэ псэу... (Постаментыр йокIыж). ЛIЫЖЬЫМ. Унагъуэшхуэт ахэр икIи зэрыIыгът: сабии, анэшхуи, благъи, Iыхьлыи щызэхэст, зы цIыху фIэкI щымыжей гъуэлъыпIэ яIэтэкъым, тIурытI-щырыщу илъхэт. Ауэ зыри къэнакъым. Зауэм псори хэкIуэдащ. ГУРВИЧ. Къелаи яхэтагъэнщ… ЛIЫЖЬЫМ. ( «Не одна во поле дороженька…» уэрэдыр къыхадзащ) Ееехь, мы зауэм и хьэлъэр зыхуэхьын щыIэу пIэрэ? ЩIапIэщIэкIуадэу щIэзгъэкIуэтэнт мы зауэр. ВАСКОВ. А майорри и гъусэу! ГУРВИЧ. Ыыы? ВАСКОВ. Зыри… ЛIЫЖЬЫМ. А пщащэхэр а щIыпIэм езыгъэша майорри гъусэ яхуэсщIынт а зауэм ихьахэм. IэджэкIэ нэхъ тыншыжыну хъунт си псэр, ауэ ди дзэлыфэр хуэттIын хуей мэхъу. ВАСКОВ (къогуфIэри). ИIэт, сэлэт Гурвич, бабыщыхъум хуэдэу щэ къаджэт! ГУРВИЧ. Сыт щхьэкIэ? ВАСКОВ. Дзэ къулыкъум дызэрыхуэхьэзырыр дгъэунэхунщ. ИIэт! Пщыгъупщэжа зэрывэзгъэлъэгъуар? ГУРВИЧ (къыпыгуфIыкIри). Хьэуэ сщыгъупщэжакъым! (Маджэ). ОСЯНИНЭ (гужьеяуэ къолъадэ). Сыт къэхъуар? ВАСКОВ Зыгуэр къэхъуауэ щытамэ, мелыIычхэр къыщыфIущIэнт адрей дунейм. (ЖэмыщIэм хуэдэу къызэхуос хуэмурэ). Фезэша? КОМЕЛЬКОВЭ (тегушхуауэ). Арат иджы къэмынэжар! ВАСКОВ. Къэхъунущ апхуэди. Дакъикъэ пщыкIутху хуэдизкIэ зывгъэпсэху хъунущ. Пщащэхэр къыхэдыхьэшхыкIащ. ВАСКОВ (и нэщхъыр зэхэлъу). Фымытхъэ! Унафэщ ар, уставым итщ апхуэдэу. ИкIи фызэбгрымыж.. (джыдэ къыдихри IукIащ) Джыдэ макъ къоIу. КОМЕЛЬКОВЭ. Мис жыг лъэдакъэ щэщэжа! Пщащэхэ… Уэ сыт зыщIэбущэхуар? ОСЯНИНЭ. Хъунщ, Женя, къэгъанэ… Армэщ мыр. КОМЕЛЬКОВЭ. Васковра армэр?.. Завхозуращ ар, армэкъым! Псалъэ тIощI нэхъыбэ ищIэкъым, ари уставым щыщуращ! БРИЧКИНЭ (епIэщIэкIыу). Набдзэгубдзаплъэ Iейщ ар!.. ИкIи гулъытэшхуэ хэлъщ! ГУРВИЧ. Ар мыIуэхут тхьэ… Iуэхур шэдым дызэрынэсращ. ЧЕТВЕРТАК. Дыхэмыхьэм дитхьэлэн. Сэ мамэ… ОСЯНИНЭ. Къэгъанэ, Галкэ… ЧЕТВЕРТАК (мэщатэри). Сыхыхьэнукъым дауэ мыхъуми!.. БРИЧКИНЭ. Ухыхьэн хуей хъумэ-щэ? КОМЕЛЬКОВЭ. Къэбгъуэтаи щхьэусыгъуэ!.. Мор езыр хуейуэ хыхьэнурагъэнщ, нэмыцэхэр къылъэмыIэсын щхьэкIэ!.. БРИЧКИНЭ. Аракъым зэрыщы... ВАСКОВ къигъэзэжащ къурагъих иIыгъыу. ВАСКОВ. (Пэмыплъауэ къыIухьэжри, къигъэщтащ пщащэхэр) Иджы нэхъ набдзэгубдзаплъэу дыщытын хуейщ: шэдым дыхэкIынущ. Сэ япэ сищынущ, фэ гупу си ужь фыниувэ! Шэдым и хъуреягъыр псыпцIэ ущIэзылъафэщ - фи анэм и цIэ къудейр жыфIэну фыхунэсынукъым! Абы папщIэ, къурагъ зэрыз къывощтэри, фи лъакъуэр тевгъэувэн ипэ къурагъымкIэ фыхэуэурэ фыныкIуэцIрокI. УпщIэ фиIэ? ИIэт, хэт нэхъ къарууфIэр? БРИЧКИНЭ (дзыхь имыщIыщэу). Сытым щхьэкIэ? ВАСКОВ. Сэлэт Бричкинэм зэдзэкIакIуэм и къэлътмакъыр иIыгъынущ. ГУРВИЧ. Сыт щхьэкIэ?.. ВАСКОВ (къэгубжьащ). Зи сытым щIэупщIэркъым!.. Комельковэ! КОМЕЛЬКОВЭ. Сэращ. ВАСКОВ. Красноармеец Четвертак и хъуржыныр къеIых. КОМЕЛЬКОВЭ. Къэхь мыдэ, Четвертачок, уи фочри къызэт… ВАСКОВ. Псалъэмакъыр! ЖысIар вгъэзащIэ!.. Щхьэж и Iэщэр езым иIыгъыжщ... Иджыри зэ вжызоIэ, си ужь фит зэпытщ! ЛъакъуапIэм лъакъуапIэр иувэу жыхуиIэм хуэдэу фынрокIуэ, къурагъымкIэ фыхэуа нэужь, фытеувэу. КОМЕЛЬКОВЭ. УпщIэ сиIэщ. ВАСКОВ (мыарэзыуэ). Сыт узыхуейр, сэлэт Комельковэ? КОМЕЛЬКОВЭ. Сыт къурагъыр зищIысыр? Къуаргъ нэхъей? ВАСКОВ. Тхьэшхуэу ди щхьэщыгу ит! Мис а пIэщIэлъращ? КОМЕЛЬКОВЭ. Мы бжэгъужьри… ВАСКОВ. Мис аращ къурагъ хъужыр. ГурыIуэгъуэ? КОМЕЛЬКОВЭ. Иджы къызгурыIуащ. Псалъэгъэнахуэ. ВАСКОВ. Сыт псалъэгъэнахуэ зи Iуэху зепхуэр? КОМЕЛЬКОВЭ. Псалъалъэщ зи гугъу сщIыр, ныбжьэгъу старшина. ОСЯНИНЭ. Евгения, увыIэж! ВАСКОВ. Иджы дызытехьэну гъуэгур щынагъуэщ, фи гушыIэхэр къэвгъанэ. Сэ псом япэ ситщ, адэкIэ – Гурвич, Бричкинэ, Комельковэ, Четвертак. Сержант нэхъыщIэ Осянинэр иужь дыдэ итщ. Аращ, фынежьэ, сэлэтхэ! ЧЕТВЕРТАК. Куууэ пIэрэ мыбдеж? ВАСКОВ. А уи инагъым тепщIыхьмэ, псы пэгунри куущ. Языныкъуэ щIыпIэхэм деж моуэ... мыбдежым... Фэ фибгым къэсынущ. Фочхэм фахуэсакъ. (Васковым иужьым иту пщащэхэр къызэрырикIуэр болъагъу). ЧЕТВЕРТАК (къокIий). Ныбжьэгъу старшина! ВАСКОВ (къэувыIэри, зэплъэкIащ). ФыкъэмыувыIэ! Фыщымыт! ФыщIилъэфэнущ! ЧЕТВЕРТАК. Ныбжьэгъу старшина, си шырыкъу лъэныкъуэр сщичащ! ОСЯНИНЭ. Сэ усIыгъынщ, къэлъыхъуэ! (ИкIуэтыжыну иужь йохьэ.) ВАСКОВ (ар елъагъури, мэкIий). Дэнэ? КъэувыIэ!.. КОМЕЛЬКОВЭ. СыдэIэпыкъунурат… ВАСКОВ (мэкIий). Уи пIэ ит зо!.. Бгъэзэж хъунукъым!.. ЛIЫЖЬЫМ. Тобэ ярэби, шынэ ягу къихьэу мыгужьеямэ арат! Абдеж ущыгужьеймэ – зэфIэкIащ, ущIилъэфэнущ… ВАСКОВ. Хуэму, хуэму! ЩIы гъущэр жыжьэжкъым. Абдеж зыщыдгъэпсэхунщ. Къэбгъуэтыжа уи вакъэ лъэныкъуэр? ЧЕТВЕРТАК. Хьэуэ!.. Си лъакъуэхэр хелъафэ, ныбжьэгъу старшина! ВАСКОВ. Укъэлъэбэкъуэн хуейуэ аращ! Мыбдежым псыпцIэщ куэдрэ дыщыт хъунукъым... ЧЕТВЕРТАК. Си шырыкъу лъэныкъуэр-щэ? ВАСКОВ. Уа, ар къыпхуэгъуэтыжыну иджы? Къежьэ!.. Си ужь къиувэ!.. ЗыкъыскIэромыгъэху, зыкъыскIэромыгъэху!.. КОМЕЛЬКОВЭ. Уа, Лизаветэ, кхъухьыжь хуэдэ укIуэцIрокIри… БРИЧКИНЭ. Сэ сесэжащ. ВАСКОВ. Иджыпсту нэхъ тынш хъунущ… ГУРВИЧ (бауэбапщэу). Псыдыуэ хэс мыбы. ВАСКОВ. Зыри хэскъым. Псэ зыпыт лъэпкъ ущрихьэлIэнукъым мыбдеж. ГУРВИЧ. АтIэ шэдыр щхьэ бауэрэ? ВАСКОВ. Газ къыхэкIыу аращ мыбы, фымышынэ! Зэхэзехуэн тщIащ. ЛIыжьхэм жаIэ, мыпхуэдэ щIыпIэхэм Iэмал имыIэу емынэ гуэр щыпсэууэ. Ауэ шыпсэ къудейщ ар... Мис гъущапIэми дыкъэсащ... Мыбдежым тIэкIу зыщыдгъэпсэхунщ. ЛIо, сэлэтхэ, фи псэр пыхуа? БРИЧКИНЭ (и щхьэр ещIри). Тхьэ пыхуам. ВАСКОВ. НтIэ, хуиту фыбауэ тIэкIу. АдэкIэ гъуэгур нэхъ тыншынущ: пхъэхуей гъуа дынэсамэ, зэфIэкIат. ОСЯНИНЭ. ТIэкIу зыттхьэщIарэт. ВАСКОВ. Модрей лъэныкъуэмкIэ псыр щыкъабзэщ, псы Iуфэр пшахъуэ зэфэзэщщ. Фыхуеймэ, зывгъэпскI. Ауэ занщIэу демыжьэжу хъунукъыми, гъуэгум зыщывгъэгъущыжыну аращ. ЧЕТВЕРТАК (щэхуу хощэтыкI). Сэ шырыкъуншэу дауэ сыхъуну? ВАСКОВ. Зыгуэр къыпхуэдгупсысынщ иужькIэ. ЗэкIэ зыхуэгъэшэч. ЧЕТВЕРТАК. Зыхуэзгъэшэчынщ. КОМЕЛЬКОВЭ (губжьауэ). Ущхьэемыгугъущ уэ, Галкэ! Уи лъакъуэр къыщыхэпчыжым лъэхъуамбэхэр щIэбгъэшамэ, пщичынутэкъым ар. ЧЕТВЕРТАК. ЩIэзгъэшащ, сщичащ армыхъумэ. ГУРВИЧ. ЩIыIэщ, пщащэхэ. КОМЕЛЬКОВЭ. Сэ псыф сыхъуащ… ОСЯНИНЭ. Сэ сыгъущэ уи гугъэрэ? Сылъэпэрапэри, сыхэтIысхьащ псыфым!.. Мэдыхьэшх. ВАСКОВ. Ягъэ кIынукъым, гъущыжынущ ар... ЩIыIэ къыфхыхьэу сымаджэ фымыхъуамэ арат, псыр мылым хуэдэщ... ИIэт, къурагъхэр къэфщтэжыт, сэлэтхэ! Си ужь фыкъиувэ, нетIэ дызэрызэкIэлъыкIуэу щытам хуэдэу. ЗывгъэпскI-зывгъэгъущыжу фыIусынщ модрей псы Iуфэм. МащIэ дыдэщ къэнэжар, къару тIэкIу къызэкъуэфхыжи.... КОМЕЛЬКОВЭ. Ооо! ЗыгъэпскIыпIэ дэгъуэщ мыбдеж! ВАСКОВ. Къэвгъанэт! ФеувэкI!.. Пшахъуэм дыкъэсащ! Дакъикъэ плIыщI фызот зыфтхьэщIу фи щхьэр зыхуей хуэвгъэзэну. Сэ фыкъаджэмэ, зэхэсхын хуэдэу мыбдежхэм сыщысынщ. Сержант нэхъыщIэ Осянинэ, уэращ псомкIи жэуап зыхьыр. ВАСКОВ. (ЧЕТВЕРТАК чуни бгъэдехьэ) Хъунукъэ мыр? ЧЕТВЕРТАК. ФIы дыдэщ. Упсэу, ныбжьэгъу старшина. ВАСКОВ. ИIэт иджы сэлэтхэ, фынежьэт! Иджыри зы сыхьэтрэ ныкъуэрэ хуэдизкIэ дыкIуэнущ. ДыздэкIуэну щIыпIэри зыхуей хуэдгъэзэн хуейщ, «хьэщIэхэр» къызэредгъэблэгъэным хуэдэу. ИIэ, псынщIэу! КОМЕЛЬКОВЭ. Сыту мамырыщэ! ПщIыхьэпIэ хуэдэщ! ВАСКОВ. Синюхинэ и сэмэгурабгъумкIэ хьэсэм щыщIедзэри, модрей лъэныкъуэмкIэ гуэлым нос, Легонтовэщ зэреджэр мы щIыпIэм. Щихъ гуэр щыпсэуауэ жаIэж мыбдеж, Легонт цIэ лейуэ зэрихьэу. ЩIыпIэ Iэуэлъауэншэ къилъыхъуэт. ГУРВИЧ. Iэуэлъауэ щыIэми си Iуэхущ Тхьэ мыбдеж… ВАСКОВ. Нэмыцэхэм зы гъуэгущ яIэр: хьэсэм хэту гуэлитIым я зэхуаку дэкIынуращ... Дэ иджыпсту уставым зэритым хуэдэу хэкIыпIитI дубзыхунущ: дыкъыщыувыIэну щIыпIэмрэ иджыри нэгъуэщI зырэ. Нэмыцэхэм сыхьэтиплI хуэдэ дапэплъэну къыщIэкIынущ... Фэ фыкIуэу ерыскъы пщтыр тIэкIу вгъэхьэзыр хъунущ. БРИЧКИНЭ. Сэ сыпщафIэ хъуну? ВАСКОВ. Хъунущ. Гурвичрэ Четвертакрэ къыбдэIэпыкъунущ. КъызжиIакъым жывмыIэж Iугъуэ къызэрыслъагъуу, фыпщэфIар зэрыщыту мафIэм пэрыскIутэнущ. ГурыIуэгъуэ жысIар? БРИЧКИНЭ (щэху дыдэу). ГурыIуэгъуэщ. ВАСКОВ. Хьэуэ! ГурыIуэгъуэкъым, сэлэт! ГурыIуэгъуэ щыхъунур джыдэр сIыпхрэ, уи унафэм щIэтхэм щыщ пхъэ къутакIуэ бгъакIуэмэщ. Жыжьэ мыкIуэу итырыгъу къраудыну яжеIэ, ар нэхъыфIщ, Iугъуэ ищIыркъым, мафIэ фIэкIа. ГУРВИЧ бжэмышхымкIэ макъ иригъэщIу щIедзэ къыщрилъхьэкIэ. ВАСКОВ (мыарэзыуэ). Апхуэдизу макъ йомыгъэщI, ныбжьэгъу зэдзэкIакIуэ. Уи Iыхьэм щыщ къысхуомыгъэкIуатэу, зауэлI хуэдэу шхэ. ГУРВИЧ (погуфIыкIри). Сошхэ-сошхэ. ВАСКОВ. Солъагъу! Гъатхэ къуанщIэ хуэдэ угъуащ. ГУРВИЧ. Сэ аращ си лы щIыкIэр. ВАСКОВ. Мес, Бричкини, дэ дэщхьу, аращ и лы щIыкIэр, зыIэщIэлъщ. Узэплъын иIэщ. Упсэу, дыбгъэтхъэжащ. Фыкъэув! ФыкъедаIуэ унафэм! IэщэкIэ зэщIэузэда ди бийхэр Вопь гуэлым къыхуокIуэ, щэхуу Кировскэ гъущI гъуэгум нэсу Сталин и цIэр зезыхьэ Беломор-Балтикэ кIэнауэм я лъэр нахусыну. Сэлэтих хъу ди отрядым унафэу иIэщ Синюхинэ хьэсэр тхъумэн, бийхэр гъэр къэтщIын хуейуэ. Сэ зэрытесщIыхьымкIэ, нэмыцэхэм сыхьэтитху-хыкIэ япэ дыкъищащ. Сэ бийм позицэ нэхъыщхьэм сыщыпэплъэнущ, семыуэу зыкъезгъэтынущ. КъытпэщIэувэ хъужыкъуэмэ, зыр укIауэ адрейр псэууэ къэщтэн хуейуэ аращ. Адрей позицэм деж хьэпшыпхэр ихъумэну Четвертак къыдогъанэ. Сэ хуит фызмыщIауэ зэхэуэн щIэвдзэкъым. Си къуэдзэу щытынущ сержант нэхъыщIэ Осянинэщ, ар уIэгъэ хъумэ, Гурвич зрихъуэкIынущ. УпщIэ фиIэ? ЧЕТВЕРТАК (и жагъуэ хъуауэ). Сэ хьэпшып хъумэу щхьэ сыкъэбгъэна? ВАСКОВ. УпщIэ купщIэншэщ, ныбжьэгъу. Унафэ сщIащ, къэнэжар вгъэзэщIэн хуейуэ аращ. ОСЯНИНЭ. Галкэ, уэ укъару лейщ. КОМЕЛЬКОВЭ. УпщIэ диIэкъым, псори гурыIуэгъуэщ. ВАСКОВ. ГурыIуэгъуэмэ, щхьэж и позицэр зэвгъэгъуэт. ЗывгъэпщкIуи, дзыгъуэм хуэдэу фыщыс. Зы цIыхум зигъэхъейркъым. Япэу нэмыцэхэм епсэлъэнур сэращ. ГУРВИЧ (щIэнакIэу). НэмыцэбзэкIи? ВАСКОВ (губжьауэ). УрысыбзэкIэ! КъагурымыIуэмэ уэ яхузэбдзэкIынущ. ГурыIуэгъуэ жысIар?.. Зауэми апхуэдэу укъыщыхэпIэнкIыкIыну пIэрэ уэ? Нэмыцэхэм жыжьэу уахэуэныр нэхъыфIщ. Армыхъумэ, кIакхъур щIэфчыну фыхунэс щIыкIэ, кхъузанэм хуэдэу фаугъуэнынущ. Абы къыхэкIкIэ, фыщылъынуращ сэ унафэ сщIыху. ФымыгъэзащIэрэ, цIыхубзщ жысIэу сынывэплъынкъым... (И Iэр ещIри). Аращ. Абдеж щыдухащ дерсыр. КIыфI мэхъу. ЛIЫЖЬЫМ. Уставым зэритым хуэдэу, дэтхэнэми и тIысыпIэр субзыхуат. Сэ нэрыплъэр къасщтэри, сыздынэплъысыр щIэсщыкIащ, си нэм нэпс къекIуэху. Нэрыплъэр згъэтIылъщ, си нэр зэтеспIэри, зы гупсэхугъуэ гуэрым сыхэхуащ, хьэкум сытелъ хуэдэт... Си анэр си нэгу къыщIыхьащ, цIыкIуу, жану. И Iэ псыгъуэхэр солъагъу, лэжьыгъэм пхъашэ ищIа и Iэпхъуамбэ кIыхьхэр и гъусэу. ИтIанэ и нэкIур си нэгу къыщIоувэ, лэдэхыр тезрэ и нэпсыр къежэхыу. Сэ къызгурыIуащ абы иджыри къыздэсым си къуэ Игорь зэригъеир, езыр къуаншэу зыкъыщыхъужу. ОСЯНИНЭР ВАСКОВ бгъэдохьэ. ОСЯНИНЭ (и лъакъуэм йоIусэри). Федот Евграфыч… ВАСКОВ (и нэр къызэтрехри). Нэмыцэхэр? ОСЯНИНЭ (щтауэ). ДаIэ? ВАСКОВ. Зэ... Къысщыхъуауэ аращ. ОСЯНИНЭ. ТIэкIу щхьэукъуэ, Федот Евграфыч. Шинелыр къыпхуэсхьынщ. ВАСКОВ. Сыт а жыпIэр, Осянинэ? Жей къыстеуауэ арат. Тутын сефэн хуейщ. Уэ моуэ зэ зыплъыхь. ВАСКОВ утыку кIэрахъуэм тоувэ. Комельковэм бгъэдохьэ. Пщащэм и щхьэцыр ежь. КъиутIыпщащи, и щIыбыр щIегъанэ… (Еплъщ, еплъри.) Бла хьэмэрэ? КОМЕЛЬКОВЭ. Хьэуэ, сысейщ. Щхьэбацэ сыхъужауэ. ВАСКОВ. Ягъэ кIакъым. КОМЕЛЬКОВЭ. Уимыгугъэ, Бричкинэ Лизэ къыскIэлъоплъ, набдзэгубдзаплъэ дыдэщ. ВАСКОВ. Хъунщ, хъунщ, зэгъэзэхуэж… ПогуфIыкI ВАСКОВ и нэщхъхэр къызэхеукIэри, тутын Iугъуэр дригъэхуейуэ йофэ. КОМЕЛЬКОВЭ (зэкъуэхуауэ) Ныбжьэгъу старшина, уэ щхьэгъусэ уиIэ? ВАСКОВ. СиIэщ, сэлэт Комельковэ. КОМЕЛЬКОВЭ. Дэнэ здэщыIэр? ВАСКОВ. ЗдэщыIэр гурыIуэгъуэкъэ - унэм щIэсщ. КОМЕЛЬКОВЭ. Сабий фиIэ? ВАСКОВ (ину мэбауэри). ДиIащ зы щIалэ цIыкIу. ЛIащ. Зауэм и пэкIэ. КОМЕЛЬКОВЭ. ЛIауэ ара? (И щхьэцыр и щIыбагъымкIэ иридзэкIри, и нэхэм щIэплъащ. НэгъуэщI зыри жиIакъым.) ВАСКОВ (хощэтыкI). Аращ, къыхуегъэлакъым и анэм… (ЖиIэри щIегъуэжащ. АпхуэдизкIэ щIегъуэжати, къыщылъэтри, и гимнастеркэр зригъэзэхуэжащ). Дауэ ухъурэ, Осянинэ? ОСЯНИНЭ. Зыри сIэщIэлъэгъуакъым, ныбжьэгъу старшина. ВАСКОВ. КIэлъыплъ иджыри. (IуокI.) Утыкур мэкIэрахъуэ. Гурвич бгъэдохьэ. Ар мывэм къуэсу тхылъ еджэрт. ГУРВИЧ. ЛIэщIыгъуэ дэгум дыхалъхуауэ, Тхуэхъуар гъуэгуанэ дымыщIэж. Урысей пхъашэм дипсыхьауэ, Имыхуу дигу, тпщIэхэлъщ зы пэж. Иджыри псэр зылыпщI илъэсхэ! Е щхьэхь фыхъуат, е фIым фыпэплъэрт! Зауае пщтырым пхыкI илъэсхэр Лъы уэр лъэужькIэ гъащIэм хоплъэ. ВАСКОВ (Iуохьэри). Хэт укъызыхуеджэр? ГУРВИЧ укIытауэ и тхылъыр егъэпщкIу, къэтэджыну хуейщ. (И Iэр ещIри) Щыс, щыс. Хэт жызоIэ укъызыхуеджэр? ГУРВИЧ. Зыми. Си щхьэ сыкъыхуоджэж. ВАСКОВ. АтIэ щхьэ макъкIэ укъеджэрэ? ГУРВИЧ. Усэщи. ВАСКОВ. А-а… (Тхылъыр къещтэри, напэкIуэцIхэр зрегъэдзэкI.) Уи нэр игъэузынущ мыбы. ГУРВИЧ. Нэхущ, ныбжьэгъу старшина. ВАСКОВ. Иджыпсту жысIэкъым, зэман дэкIмэ. ИтIани, мы мывэм утемыс, иджыпсту упщIыIужынурэ хуабэ къыпхишу щIидзэнущ, къомыщIэххэу. Шинелыр кIэщIэдз. ГУРВИЧ. Хъунщ, ныбжьэгъу старшина. ВАСКОВ. Ауэ макъкIэ укъемыджэ. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуа нэужь, хьэуар хьэлъэщ, мыбы пшэплъхэр щыдаущыншэщи, верститхукIэ ппэжыжьэхэми, узэхахынущ. Зыпплъыхьыну зыщумыгъэгъупщэ, сэлэт Гурвич. (IуокIыж.) Утыкур мэкIэрахъуэ. ВАСКОВ Бричкинэ Лизэ и щIыбагъым къыдоувэ. Ар тыншу щысщ, шинелым тесу Iэгъуэблагъэр къызэхеплъыхь. ЛIЫЖЬЫМ. Пщэдджыжь къэс Бричкинэ Лизэ мэлхэмрэ кхъуэ шырымрэ игъашхэрт. ПIэм хэлъ анэ сымаджэм зригъэтхьэщIырти, игъашхэрт, пщафIэрт, унэр зэщIикъуэрт, гъунэгъу тыкуэным жэрти, щIакхъуэ къихьырт. Апхуэдэурэ махуэхэр кIуэрт... Илъэс пщыкIуплI зэрыхъурэ зыхуигъэсат а бзылъхугъэ къалэн псоми. ВАСКОВ. Бричкинэ, дэнэ узыщыщыр? БРИЧКИНЭ. Брянщинэм, ныбжьэгъу старшина. ВАСКОВ. Колхозым ущылэжьа? БРИЧКИНЭ. Сыщылэжьащ. Ауэ нэхъыбэу си адэм сыдэIэпыкъуу арат. Ар мэзылIт, гъунапкъэм дыщыпсэурт. ВАСКОВ. Арагъэнщ бабыщыхъум фIыуэ зыщIыпыпщIыжыр. БРИЧКИНЭ дыхьэшхащ. ВАСКОВ. Зыри къэплъэгъуакъэ? БРИЧКИНЭ. Щэхущ зэкIэ. ВАСКОВ. Псоми быдэу кIэлъыплъ, Бричкинэ. Къуацэчыцэр хъейми, бзухэр зэхэзехуэн хъуми, уэ мэзым ущапIащ, къыбгуроIуэ псори. БРИЧКИНЭ. КъызгуроIуэ. ВАСКОВ. Аращ сэри жысIэр… ВАСКОВ (и макъыр ехъуэжри). «Лиза, Лиза, Лизавета, что ж не шлешь ты мне привета, что ж ты дроле не поешь, аль твой дроля не пригож?»... Ди щIыпIэхэм щыжаIэ уэрэд цIыкIут ар. БРИЧКИНЭ. Ди деж мырат щыжаIэр (Щэхуу къыщIедзэ.) «А я иду, иду – трава колых-колых, ребята хитрые, а мы»… ВАСКОВ. ИужькIэ жытIэнщ уэрэд, Лизаветэ, дызэгъусэу. Мы дзэм къалэн къытщищIар дгъэзащIэмэ, жытIэнщ уэрэд. БРИЧКИНЭ (МэгуфIэ). Пэж дыдэуи. ВАСКОВ. ЩыжысIакIэ пэжщ. (Нащхьэ хуищIщ, и пыIэр щхьэриудри, IукIыжащ) БРИЧКИНЭ (КIэлъокIий). Зыщумыгъэгъупщэ, ныбжьэгъу старшина! Псалъэ къызэптащ!.. Бричкинэ Лизэ и адэмрэ ар зыщIэс пщыIэмрэ утыку къохутэ. ЛIЫЖЬЫМ. Бричкинэ Лизэ къигъэщIа илъэс пщыкIубгъуми пщэдерей махуэм фIыкIэ щыгугъ зэпыту къэпсэуащ. Пщэдджыжь къэс насыпым и IэфIыр псэкIэ зыхищIэну хьэзыру къэушырти, и анэм и псчэ кIыхьыр зэрызэхихыу, нахуапIэм къыщыхутэжырт. Аргуэрыжьти, и хъуэпсапIэр зэрыщытауэ къэнэжырт. Хьэуэ, фIэкIуэдыртэкъым а хъуэпсапIэр икIи хыфIидзэжыртэкъым, атIэ пщэдерей махуэм игъэкIуатэу арат. Илъэситху енкIэ пщэдджыжь къэс и адэр къызэрыIущIэ псалъэхэр арат... БРИЧКИНЭ ЛИЗЭ И АДЭ. ЛIэнущ уи анэр. ЛIЫЖЬЫМ. Лизэ щIэкIырти, мэлхэм, алащэжьым, кхъуэ шырым я шхын яритт. И анэм зригъэтхьэщIырт, ихуапэрт, бжэмышхкIэ игъашхэрт. Шэджагъуашхэр ипщэфIырт, унэр зэлъыIуихырт, щIакхъуэхьэ кIуэрт. И ныбжьэгъу пщащэ цIыкIухэм школыр къызэраухрэ куэд щIат: иныкъуэхэр еджэну къалэшхуэхэм кIуат, хэти унагъуэ ихьат, Лизэ пщафIэрт, игъашхэрт, зэщIикъуэжырт. Аргуэрыжьти, къэкIуэну махуэм пэплъэрт. Ауэ абы и фIэщ хъурт гъащIэ дахэ зэрыщыIэр, езыми апхуэдэ зэгуэр къызэрыхуихуэнур, пщэдерей махуэр къызэрысым ещхьу, ари зэгуэр къызэрысынур. Лизэ пэплъэрт и насыпым, емызэшу пэплъэрт. БРИЧКИНЭ ЛИЗЭ И АДЭ. Ди деж пIалъэкIэ щыпсэуну хуейщ мы щIалэр. ДиIэ дэ уэ ущыпсэун? Ди фызыжьыр малIэри телъщ. ЩАКIУЭ. Мэкъуэщрами содэ сэ? БРИЧКИНЭ. ЩIыIэщ иджыри… ЩАКIУЭ. Зы джэдыгужь къызэти... БРИЧКИНЭ ЛИЗЭ И АДЭ. Уей, уэттынмэ! ИIэт, Лизэ, жэи къыхущIэхыт, щIыIэм идыкъащ ди хьэщIэр, къэгъэхуэбэжын хуейщ. ЛIЫЖЬЫМ. Адэмрэ хьэщIэмрэ куэдрэ щIэсащ пщэфIапIэм аркъэ ефэу. Лизэ гуэным жэрти, къэбыстэ къахуихьырт, джэдыкIэ яхуигъажьэрт. Нэхъыбэу псалъэр и адэрат. Кумбыгъэр игъэщIейуэрэ аркъэр ирикIыхырт, къэбыстэр IэпхъуамбэкIэ къищтэурэ жьэдилъхьэрт, итхьэлэным хуэдэу псалъэрт: БРИЧКИНЭ ЛИЗЭ И АДЭ. Зэ умыпIащIэ, умыпIащIэ, щIалэфI. ГъащIэр езыр мэзым хуэдэщ, щыпыбупщIыни щыбгъэкъэбзэни къэхъунущ, пэжкъэ? Зэ умыпIащIэ! Абы щIэтщ итырыгъуи, жыг лъабжьэ сымаджи, фэнши. Пэжкъэ? ЩАКIУЭ. Гъэкъэбзэн хуейуэ аращ, мыхъунур занщIэу къиудурэ. БРИЧКИНЭ ЛИЗЭ И АДЭ. Зэ умыпIащIэ. Зи гугъу тщIыр мэзмэ, дэ дымэзылIщи, къыдгуроIуэ. Ар гъащIэрамэ-щэ? Псэ Iутмэ, къижыхьмэ, псалъэм папщIэ? ЩАКIУЭ. Дыгъужьу къызыщыдгъэхъунщ. БРИЧКИНЭ ЛИЗЭ И АДЭ. Сыт щIэдыгъужьыр? Дыгъужьыр зэран къыпхуэхъурэ уэ? СыткIэ къызэрыпхуэхъур? ЩАКIУЭ. Дзэ Iутщи зэранщ... БРИЧКИНЭ ЛИЗЭ И АДЭ. Ар къуаншэ дыгъужьу къызэралъхуам щхьэкIэ? Къуаншэ? Хьэуэ, щIалэфI, дэращ ар къуаншэ зыщIар. Дэращ, езым демыупщIыххэу! Уи напэм къезэгърэ ар? ЩАКIУЭ. Петрович, пщIэрэ, дыгъужьымрэ напэмрэ зэхуумыгъадэ, кхъыIэ. БРИЧКИНЭ ЛИЗЭ И АДЭ. Зэхуумыгъадэ жыпIа?.. АтIэ дыгъужьымрэ тхьэкIумэкIыхьымрэ зэхуэдэ? Умыдыхьэшх зэ, зэ увыIэ, щIалэфI! Хъунщ, дыгъужьыр цIыхум и бийуэ лъытэн хуейуэ унафэ щыIэщ. Хъунщ, а унафэм ипкъ иткIэ, Урысейм дыгъужьу итыр зэтедукIащ. Псори! Зы къэмынэу! Сыт къэхъунур? ЩАКIУЭ. Сыт къэхъунур жыпIа? Мэзым щIэс джэдкъазхэмрэ псэущхьэхэмрэ нэхъыбэ хъунущ... БРИЧКИНЭ ЛИЗЭ И АДЭ (IэштIымкIэ теуIуащ). МащIэщ!.. МащIэщ, къыбгурыIуэрэ? Къажыхьын хуейщ абыхэм. ХьэкIэкхъуэкIэр узыншэн щхьэкIэ къижыхьын хуейщ, щIалэфI. Къажыхьын щхьэкIэ зыгъэшынэн хуейщ, яшхынкIэ гузавэу! Мис аращ. Пэжщ, дауи, гъащIэр зы плъыфэ зэфэзэщу бухуэ хъунущ. Ауэ сыт щхьэкIэ? ИтIанэ гупсэхугъуэ уихуэну ущыхьэт? ИтIанэ тхьэкIумэкIыхьхэр щхьэхынэ, пIащэ хъунущ, дыгъужь ямылъагъужмэ, лэжьэн щагъэтынущ. ИтIанэ сыт тщIэнур, дыгъужь къредгъэшу щIэддзэнущ, е хамэ къэрал къыщытщэхунущ, мыдрей хьэкIэкхъуэкIэхэр иридгъэшынэн папщIэ! ЩАКIУЭ. Иван Петрович? Уэ зи мылъку зытрахахэм уащымыщу пIэрэ? БРИЧКИНЭ ЛИЗЭ И АДЭ. Сэ сыт къыстепхыну сиIар? Мы си IэштIымитIымрэ щхьэгъусэрэ пхъурэщ сэ сиIэр. Зыри къахэхъуэнукъым апхуэдэ IуэхукIэ си яужь къихьэхэм. ЩАКIУЭ. Абыхэми?.. БРИЧКИНЭ ЛИЗЭ И АДЭ. Дэ!.. Сэ сыдыгъужькъым, щIалэфI, сытхьэкIумэкIыхьщ. СыкIуэнщи, сыгъуэлъыжынщ. Уэ хъыджэбзым уигъэлъагъунщ ущыжеинур. Лизэ щэхуу къуэгъэнапIэм къуэст. ЩакIуэр къалэдэст, щIалэт, и дзэхэр хужьыбзэу къыIущырт. Пщащэр абы щыукIытапэрт. Лизэ и нэхэр тедияуэ щIалэр зэпиплъыхьырт, къыщыхуеплъэкIкIэ, езыр лъэныкъуэкIэ плъэрт, къепсэлъэн щIидзэрэ упщIэ къритмэ, мыщхьэпэ гуэр жэуапу иритыжынкIэ тегузэвыхьырт. ЩАКIУЭ. Сакъкъым мы уи адэр. БРИЧКИНЭ. Партизан плъыжьхэм ящыщщ ар. ЩАКIУЭ. Уей, ар дощIэм. ИIэ-тIэ, Лизэ, сыгъэлъагъу си щхьэегъэзыпIэр. Мэкъуэщым. (ЩIыунэм хуэдэу кIыфIщ. Лизэ бжэ щIыхьэпIэм къыщыувыIащ, хьэщIэм иIыгъ джэдыгумрэ щхьэнтэмрэ къыIихащ). БРИЧКИНЭ. Зэ мыбдеж щыт. (Мэкъур IэкIэ зригъэзахуэри, щхьэнтэр игъэтIылъащ) Мэкъуэщым тутын ущефэну ауи уи гум къыумыгъэкI. ЩАКIУЭ. СощIэ. НэхулъэфI укъикI. ЛIЫЖЬЫМ. ЩIыхьэри, гъуэлъыжащ. Лизэ унэм щIэлъэдэжащ хьэкъущыкъухэр итхьэщIыну. Ахэр итхьэщIыжыху, зэрищI хабзэм хуэмыдэу, хуэм дыдэу илъэщIыжурэ, пэплъэрт. Пэплъэрт щхьэгъубжэм зыгуэр къытеуIуэну. Ауэ аргуэру зыри къытеуIуакъым. Лизэ уэздыгъэр игъэункIыфIыжри, щIыхьэжащ, и анэм и псчэ макъымрэ адэ ефам и пырхъ макъымрэ щIэжеикIыну. Пщэдджыжь къэс хьэщIэр дэкIырти, хэкIуэтауэт къызэригъэзэжыр, ешарэ къэмэжэлIауэ. Лизэ ар игъашхэрт, епIэщIэкIыу, ауэ мыныбаблэу зэрышхэм еплъырт икIи игу ирихьырт. Зэрышхэу щIалэр мэкъуэщым кIуэжырт, Лизэ кIэлъыплъу. БРИЧКИНЭ. Сыт щакIуэм зыри къыщIыумыхыр? ЩАКIУЭ. КъыспэщIэхуэркъым. БРИЧКИНЭ. Нэхъ гъур ухъуащ, зызогъэпсэху жыпIэурэ. Зыгъэпсэхуа хъужрэ ар? ЩАКIУЭ. ЗыгъэпсэхупIэфI дыдэщ, Лизэ! Си жагъуэ зэрыхъущи, иухащ си пIалъэр, пщэдей сожьэж. БРИЧКИНЭ. Пщэдеи?.. ЩАКIУЭ. НтIэ, пщэдджыжьым. Ауэ щыхъукIи зы псэущхьэ къэзукIакъым. Дыхьэшхэнщ, пэжкъэ? БРИЧКИНЭ. Дыхьэшхэнщ. Лизэ бжэр Iуихри, щIемыгъуэж щIыкIэ, мэкъуэщым щIэпщхьащ. ЩАКIУЭ. Хэт ар?.. БРИЧКИНЭ. Сэращ. ПIэр пхузэзгъэзэхуэнщ... ЩАКIУЭ. Хьэуэ. КIуэи зыгъэпсэху. Узэшрэ? БРИЧКИНЭ. Созэш. ЩАКIУЭ. Узэшми, мыпхуэдэ делагъэ умыщIэ. КIуэи гъуэлъыж. Сэ сешащ, пщэдджыжь жьыуэ сежьэжын хуейщ. Лизэ къыщIэпщыжащ, и лъэгуажьэр игъэузыжауэ, бжэр зэрыхъукIэ, иридзылIэри къыIукIыжащ. Пщэдджыжьым абы зыхихащ и адэм шыр зэрызэщIищIэр, хьэщIэм анэм сэлам зэрырихыжыр, куэбжэм ирагъэщI макъыр. Езым жей нэпцI зищIауэ хэлът, ауэ и нэ зэтепIахэм нэпсыр къыщIэжырт. БРИЧКИНЭ ЛИЗЭ И АДЭ. Еплъыт, фошыгъу килограммищ къыпхузигъэхьащ ди хьэщIэм. Илъэс мэхъу фошыгъу зэрыдмылъагъурэ. "Уеджэн хуейщ, Лизэ, армыхъумэ, мэзым ущIэкIуэдэнущ. Августым накIуэ си деж: техникумым ущIэзгъэтIысхьэнщ, общежитием ущыпсэунщ". Аращ итыр, нэгъуэщI зы псалъэ гуапи иткъым. И адресыр тетщ. БРИЧКИНЭ (ВАСКОВЫМ зыхуегъазэ) Еплъыт, ныбжьэгъу старшина! Псалъэ птащ!.. Утыкур мэкIэрахъуэ. ВАСКОВ къокIуэ. ЧЕТВЕРТАК и Iэр и жыпым илъу зиудыгъуауэ хьэпшыпхэм хэсщ. И шинель пщампIэр къыдэгъэублэрэкIеяуэ. ВАСКОВ. Сыту Iейуэ зыбудыгъуа, сэлэт? ЧЕТВЕРТАК. ЩIыIэщ… ВАСКОВ и Iэр хуишияти, къиIуидзыжащ, делагъэкIэ къыхуейуэ къыщыхъури. ВАСКОВ. Умыгужьей, зиунагъуэрэ! Уи натIэм сегъэIусэ!.. (И натIэм йоIусэ.) МафIэс хуэдэщ, упщтырщ! КъапщIэрэ? (Спирт къызэкъуихри, кумбыгъэм хурикIащ) Мыпхуэдэу уефэн хьэмэрэ псыкIэ пхузэхэсщIэн? ЧЕТВЕРТАК. Сыт ар зищIысыр? ВАСКОВ. Хущхъуэ. Спирт! ЧЕТВЕРТАК (и Iэр ищIурэ IуокIуэт). Ооо, хьэуэ, хьэуэ!.. ВАСКОВ. Уефэну унафэ сощI!.. (Егупсысри, псыкIэ зэхищIащ.) Ефи, псы тефыхьыж. ЧЕТВЕРТАК. Хьэуэ, сефэфынукъым!.. ВАСКОВ. Ефэ, псалъэмакъыр къэгъани!.. ЧЕТВЕРТАК. Щхьэ къыспэбубыда? Сэ си анэр медицинэм и лэжьакIуэщ... ВАСКОВ. Мамэ щыIэкъым мыбдеж. Зауэщ щыIэр, нэмыцэщ щыIэр, сэращ щыIэр, старшина Васков. Анэ зиIэр зауэм къелахэращ. КъыбгурыIуэрэ жысIэр? И нэпсыр къыщIэлъэлъу ефащ пщащэр. Псчэн щIидзати, Васков и щIыбым хутеуIуащ. IукIуэтщ, и нэпсхэр зэпилъэщIыхьри, къыпыгуфIыкIащ. ЧЕТВЕРТАК. Си щхьэр ежьащ, мэуназэ... ВАСКОВ. Ежьамэ, пщэдей улъэщIыхьэжынщ. (И шинелыр трепIэ.) Зыгъэпсэху, сэлэт. ЧЕТВЕРТАК. Уэ дауэ ухъуну шинель пщымыгъыу? ВАСКОВ. Сэ сыузыншэщ, умыгузавэ. Пщэдей хъуху зыгъэхъуж. СынолъэIу: зыгъэхъуж. IуокIыж. Утыкур мэкIэрахъуэ. ОСЯНИНЭР къохьэ. ОСЯНИНЭ. ТIэкIурэ ужеямэ арат, ныбжьэгъу старшина. Пщэдджыжьыпэм укъэзгъэушынт. ВАСКОВ. Дэнэ къикIын жей! ИгъащIэ псокIэ сагъэжеину хъунщ нэмыцэхэр тIэщIэкIмэ. Ахэр нэгъуэщI гъуэгукIэ кIуами хэт зыщIэр? Пэжкъэ? Iэджэ зэхащIыхьыфынущ, дэ мыбдеж... ОСЯНИНЭ. Иджыпсту жей хъунщ ахэр? ВАСКОВ. Жейуи? ОСЯНИНЭ. НтIэ. Ахэри цIыхукъэ? Уэ езым жыпIащ Синюхинэ хьэсэм фIэкIа гъущI гъуэгум ухуэзышэн мыбдеж щымыIэу. ВАСКОВ. Зэ умыпIащIэ, Осянинэ, умыпIащIэ! Гъуэгу мащIэкъым ар щIыпIэр щымыцIыхум деж, япэ къэс чыцэм щыщтэу... Пэжкъэ жысIэр? ОСЯНИНЭ. Пэжщ, ныбжьэгъу старшина. ВАСКОВ. Къапщтэмэ, щхьэхуитщ ахэр, зыщIыпIэ деж щетIысэхауэ загъэпсэхуми тщIэркъым. Жьым ириуда жыг гуэрхэм къуэсу. Дыгъэр къыкъуэкIыху жеинщи. Дыгъэр къыкъуэкIмэ... ОСЯНИНЭ (гуфIэри сабийм хуэдэу хуеплъэкIащ). Уэри дыгъэр къыкъуэкIыху зыбгъэпсэхунти. Сэ укъэзгъэушынт. ВАСКОВ. ЖеипIэ сиIэкъым сэ, ныбжьэгъу Осянинэ… Маргаритэ, хэт уи адэцIэр? ОСЯНИНЭ. РитэкIэ къызэджэ, Федот Евграфыч. ВАСКОВ. Тутын пыдгъэнэн, ныбжьэгъу Ритэ? ОСЯНИНЭ. Сэ сефэркъым. ВАСКОВ. Пэжщ, ахэри цIыхущ. Сегупсысатэкъым апхуэдэу. ФIыуэ къызжепIащ: зыдгъэпсэхун хуейщ. Уэри кIуэ, Ритэ. КIуэ. ОСЯНИНЭ. Сэ си жеин къакIуэркъым. ВАСКОВ. Ухуэмейми гъуэлъ, уи лъакъуэм зегъэукъуэдий. Апхуэдиз гъуэгуанэм емысар узынщ. ОСЯНИНЭ (пыгуфIыкIащ). Сэ къэкIухьыныр си жагъуэкъым, Федор Евграфыч. КIыфI мэхъу. ЛIЫЖЬЫМ. Ритэ уардэунэжь хуэдэу зиIыгът: и отделением хэтыр комсомол хъыджэбзхэрат. НыбжьыщIэ дыдэт. Лъагъуныгъи, гурыфIыгъуи, нэщхъеягъуи ящIэтэкъым, зыдэгушыIа лейтенантхэм тепсэлъыхь мыхъумэ. ВАСКОВ къигъэушащ. ОСЯНИНЭ. Сыт ар? ВАСКОВ. Щэхуу! Зыхэпхрэ? ОСЯНИНЭ (къыщылъэтащ). Къуалэбзухэр зэрызохьэ… (щэхуу мэдыхьэшх). Къанжэхэр зэрыхьзэрий хъуащ, Ритэ. Абы къикIыр зыгуэр къакIуэу аращ, зыгуэрым игъэпIейтеящ. Ди хьэщIэхэращ ар, нэгъуэщIкъым. ИIэт, Осянинэ, къызыщIэIэтэт сэлэтхэр. ПсынщIэу! Ауэ щэхуу, щэхуу!.. ОСЯНИНЭ щIопхъуэ. ВАСКОВ и кIэрахъуэр зэпеплъыхь, шэхэр къегъэIэгъуэ. Къанжэхэр нэхъ Iеижу зэрызехьэ хъуащ. ГУРВИЧ къыIухьащ. ГУРВИЧ. Сэлам узох, ныбжьэгъу старшина. ВАСКОВ. Сэлам. Четвертак дауэ щыт? ГУРВИЧ. Мэжей. Къэдгъэушыну дыхуеякъым. ВАСКОВ. ФIыуэ фщIащ. Жыжьэ уIумыкI. ИкIи укъэмыпIэтIауэ. ГУРВИЧ. СыкъэпIэтIэуэнкъым. Къанжэхэм я зэрыхьзэрийм нэхъ гъунэгъуу зэхэпх хъуащ. ВАСКОВ нэрыплъэр игъэтIылъыркъым. ЛIЫЖЬЫМ. Дуней псор щым хъуащ, зы Iуэхугъуэм адрейр къыкIэлъокIуэ, щхьэусыгъуэхэр нэрылъагъу мэхъу, аргуэру нэгъуэщI зыгуэрхэр къохъу. Мы зи гугъу сщIыхэр цIыху къызэрыгуэкIым мамыр гъащIэм щызэхищIэркъым, ауэ зауэм ущыIутым деж узрихьэлIэ сыт хуэдэ лъэпощхьэпоми уи гупсысэр зыхуишэр укъелын-укъемылынырщ, псэууэ укъэнэнырщ дуней псор зи кIыхьагъ дакъикъэм узэгупсысыр. ВАСКОВ (нэрылъэм здиплъэм щэхубзэу къеIущэщ). ФыкъакIуэ фэ, фыкъакIуэ… Паузэ. Нэмыцэхэр къолъагъуэ. ГУРВИЧ (жыжьэ плъэурэ мабжэ). Щы… тху… й… пщыкIутI… пщыкIуплI, пщыкIутху, пщыкIух… ПщыкIух, ныбжьэгъу старшина… ЛIЫЖЬЫМ. Федот Евграфыч и гъащIэ псор унафэ игъэзащIэу ихьауэ аращ. Ар псынщIэу, фIэмыкIыу, жану игъэзащIэрт абы. НэгъуэщIу жыпIэмэ, къысхуащI унафэр мис апхуэдэу жыджэру гъэзэщIэнращ си гъащIэм купщIэ хуэхъуар. Си пщэрылъыр къызыхуэт щымыIэу зэрызэфIэсхыфым щхьэкIэ унафэщIхэм пщIэ къысхуащIырт, нэгъуэщIкIэ сэ ахэр къысщыгугъыртэкъым... ГУРВИЧ (щэху дыдэу къытригъэзэжащ). ПщыкIух, ныбжьэгъу старшина… ВАСКОВ (зыкъримыгъэзэкIыу). Солъагъу. Ежьэ иджы уэ, Гурвич. Осянинэм жеIэ сэлэтхэр я позицэхэм игъэувыну. ЗывгъэпщкIуурэ!.. ЗывгъэпщкIуурэ!.. КъэувыIэ, дэнэ уздэкIуэр? Бричкинэр си деж къэгъакIуэ. Укъэмытэджу пщы, ныбжьэгъу зэдзэкIакIуэ. Иджы къэткIухьынукъым, къэтпщыхьыну аращ. ГУРВИЧ Iупщащ. БРИЧКИНЭ (къыIупщхьащ). Ныбжьэгъу старшина… ныбжьэгъу старшина… ВАСКОВ (и пщIэнтIэпсыр илъэщIщ, зыкъригъэзэкIри, нащхьэ къыхуищIащ). Тэмэму бауэ, Бричкинэ. НэхъыфIыххэщ ахэр пщыкIух зэрыхъур. КъыбгурыIуа? БРИЧКИНЭ арэзы дэхъуу и щхьэр ищIри, хуэмеищэу къыпыгуфIыкIащ. ДыкъызрикIуа гъуэгур тэмэму пщIэжрэ? БРИЧКИНЭ. Ыхьы, ныбжьэгъу старшина. ВАСКОВ. Еплъыт зэ: нэмыцэхэм я сэмэгурабгъумкIэ уэздыгъейхэр йокIуэкI. Абы ублэкIрэ, мэзыбгъум унэсмэ, гуэлыбгъум уIутурэ кIуэ… БРИЧКИНЭ. Чыхухэр къыщидудам деж? ВАСКОВ. НтIэ, губзыгъэ. Захуэу укIуэмэ, гъуэгум утекIынукъым! БРИЧКИНЭ. СощIэ ар сэ, ныбжьэгъу. ВАСКОВ. Зэ умыпIащIэт… Лизаветэ, зумылъэфыхь. Псом нэхъыщхьэр шэдращ, къыбгурыIуа? А зэпрыкIыпIэр зэвщ, сэмэгурабгъумкIэ е ижьырабгъумкIэ утебэкъукIмэ, ущIилъэфэнущ. Гъуазэ пщIынур пхъэхуейращ. Пхъэхуейм уфIэкIрэ, уэздыгъеитI ублэкIыжмэ - гъущапIэщ. БРИЧКИНЭ. Ыхьы. ВАСКОВ. Абдеж мащIэу зыщыгъэпсэху, занщIэу уемыжьэж. А гъущапIэм итырыгъу пхъэдакъэм хуэкIуэ. ЗанщIэу, ар абдеж фIыуэ щыболъагъу. БРИЧКИНЭ. Ыхьы. ВАСКОВ. Кирьяновэм Iуэхур зыIутыр и пащхьэ илъхьэ. Дэ апщIондэху нэмыцэхэм дапэщIэтынщ, ауэ куэдрэ дазэремызэуэфынур къыбгуроIуэ. БРИЧКИНЭ. Ыхьы. ВАСКОВ. Уи хъуржыни, Iэщи, псори къэгъанэ, IэпсынщIэлъэпсынщIэу уежьэмэ, нэхъыфIщ. Шэдым узэрынэсу абдеж къыщыдна къурагъхэм щыщ къэпщтэну зыщумыгъэгъупщэ. БРИЧКИНЭ. Ыхьы. СыщIопхъуэ сэ. ВАСКОВ. ЩIэпхъуэ, Лизаветэ! БРИЧКИНЭ и Iэщэр, къэлътмакъыр егъэтIылъ, Васковым щIэх-щIэхыурэ хуоплъэкI. Ауэ модрейр къызэплъэкIыркъым, нэрыплъэр иIыгъыу нэмыцэхэм якIэлъоплъ. БРИЧКИНЭ (щот-щотри). СыщIопхъуэ сэ... сыщIопхъуэ… (Щэху дыдэу.) СыкIуащ сэ… (IуокI.) ВАСКОВ (нэрыплъэм здилъэм щэху дыдэу ). ПщыкIух… Уэздыгъэр мэункIыфI. Утыкур щхъуафэу къызэщIоблэ. IэщэкIэ зэщIэузэда нэмыцэхэм щIыIутелъыр ятеубгъуауэ зыр зым иужь иту блокI. ГУРВИЧ. Ныбжьэгъу старшина… ЧЕТВЕРТАК. ПщыкIух хъууэ ар? ПщыкIух? ОСЯНИНЭ. Сыт тщIэнур, ныбжьэгъу старшина? ВАСКОВ ЩIагъуэкъым ди Iуэхур, пщащэхэ. Мывэм тетIысхьэну щетIысэхым, ГУРВИЧ къигъэувыIэри, шинелыр кIэщIидзащ. ВАСКОВ и щхьэр къыхуищIри, чысэр кърихауэ, тутын зыкIуэцIешыхь. (Четвертак хуоплъэкIри) Уэ дауэ ущыт? ЧЕТВЕРТАК (гуфIэ зещIри). Тэмэмщ… Хъарзынэу сыжеящ. ВАСКОВ. КъызэрыщIэкIымкIэ, пщыкIух мэхъу. Фоч пщыкIухыр къару лъэщ дыдэщ. КъыппэщIэувэкIэ, къыпхуэгъэувыIэнукъым ар. КъомыгъэувыIэщи, ажалщ. Сыхьэтищ хуэдэкIэ къэсынущ ахэр мыбдеж. ОСЯНИНЭМРЭ КОМЕЛЬКОВЭМРЭ зэплъыжащ, ГУРВИЧ и лъэгуажьэм толъэщIыхьри щысщ, ЧЕТВЕРТАК и нэр имыгъэупIэрапIэу лIым йоплъ. Бричкинэр дыкъыздикIа щIыпIэм згъэкIуащ. Ди дэIэпыкъуэгъухэр жэщ мыхъуауэ къэсынукъым. Абы ипэ къихуэу зэхэуэн щIэддзэмэ, зытхуэIыгъынукъым. Автомат I6 зыIыгъхэм уакъелынукъым. ОСЯНИНЭ (щэхуу). АтIэ гъунэгъубзэу зэрыблэкIым деплъынура? ВАСКОВ. БлэдгъэкI хъунукъым ахэр мыбдеж. Хэдгъэзэрыхьу Легонтовэ гуэлым и хъуреягъымкIэ едгъэкIуэкIын хуейщ. Ауэ дауэ? ДызэхэуэкIэ, зытхуэхъумэнукъым. Фи еплъыкIэхэр къыжыфIэт иджы. ВАСКОВ. Дауи, нэмыцэхэр зэуакIуэ къэкIуауэ аракъым мыбдеж. Я плъакIуэхэмкIэ зыкъаухъуреихьауэ щIыпIэ нэхъ пхыдза, IэуэлъауэншэмкIэ тыншу пхыкIыу аращ… Зыгуэрым къилъагъуу къапэмыувын щхьэкIэ, щэхуу кIуэцIрокI, я мурад нэхъыщхьэр зрагъэхъулIэн папщIэ... Аращи, закъедгъэлъагъуу, дэ дымылъагъу нэпцI зытщIын хуейуэ ара?.. Апхуэдэу хъумэ, нэгъуэщI гъуэгу къыхахынущ... Ар а сэ жыхуэсIэ Легонтовэ гуэлым и бгъурщ: зы жэщ-махуэ гъуэгу мэхъу... Ауэ хэт дэ нэмыцэхэм едгъэлъагъунур? Фэ хъыджэбзиплIымрэ сэрэ?.. ИтIанэ я тIасхъэщIэхыр къагъэкIуэнщи... Тху фIэкI дызэрымыхъур зригъэщIэнщ. Аращи, дыкъаухъуреихьынщи, зы фочыши хэмыту, сэ защIэкIэ ягъэкIуэдынщ ди отрядыр... (Щым мэхъу). Зы сыхьэткIэ нэгъуэщI хэкIыпIэ къэдмыгупсысмэ, аращ къэхъунур. Зывгъэхьэзыр. (Езым и кIэрахъуэри и сэри кърихри зэпиплъыхьащ.) ОСЯНИНЭ (и ныбжьэгъухэм епсэлъылIа нэужь). Ныбжьэгъу старшина, жыг къизыудхэм ирихьэлIэмэ-щэ? ВАСКОВ. Сыт хуэдэ жыг къизыуд? Зауэ йокIуэкI, мэзхэр нэщIщ… КОМЕЛЬКОВЭ. Нэмыцэхэм а псор ящIэрэ? ОСЯНИНЭ. Абыхэм дыкъалъагъунукъым. Дызэхахынуращ. Дапщэ дыхъуми дыкъащIэххэнукъым... ВАСКОВ. Пэжщ! Жыг къизыудхэр мэзыращ зыщIэсыр. Гуп-гупу загуэшу лэжьэфынущ. Нэмыцэхэм къалъыхъуэнукъым ахэр - шынагъуэщ. Абыхэм зыкърагъэлъагъумэ, бзэгу яхьынкIэ шынэнущ... Аращ мэз къизыудхэм я бжыгъэр зэи зыми щIимыщIэр... Еее, хъыджэбзхэ, къуршыбгъэм фыхуэди фэ! (Къыщолъэт.) Осянинэ, уэ сэмэгурабгъу лъэныкъуэм уритетщ: нэхъ ину теуIуэ, мафIэ зэщIэгъанэ... Гурвич, Четвертак – фэ и кум фитынущ: фи къалэныр ара дыдэщ. Жыг зэхуакухэм зыкъыщывгъэлъагъуэ, ауэ фыкъыкъуэмыкI, фысакъ. Комельковэ, уэрэ сэрэ нэхъыщхьэр ди пщэ дэтлъхьэнщ - ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ дыкIуэнщ, нэмыцэхэм абыкIэ нэхъ яфIэтыншу екIуэкIынущ. Иджыри зэ жызоIэ, хъыджэбзхэ, макъ нэхъыбэ, нэхъ ин едгъэщIыху нэхъыфIщ! Шырыкъухэр, пыIэхэр зыщыдох, бгырыпххэр зыщIыдох - формэ тщыгъаи-тщымыгъаи. Мэзыр къэвгъэпсалъэу фылажьэ, фыкIий!.. Пщащэхэр зэбгрыжащ. ЛIЫЖЬЫМ. Бричкинэ Лизэ игу ирихьт псалъалэу, семыпIэщIэкIыу сызэрыщытыр, псом хуэмыдэу цIыхубз псоми унагъуэ быдэм и шэсыпIэу къалъытэ цIыхухъу хьэлыр къыздилъэгъуащ. Абы къыхэкIыу Лизэ лъэкIэ темыувэу къилъэтыхьырт... БРИЧКИНЭ. «Псори зэфIэкIмэ, уэрэ сэрэ уэрэд жытIэнщ, Лизаветэ», - жиIащ старшинам. ЛIЫЖЬЫМ. Абы и псалъэхэр игу къигъэкIыжу здэжэм, къурагъыр къыщыгъупщэри, ар здагъэтIылъа щIыпIэм блэжащ, игу къыщыкIыжам къигъэзэжыну хуеякъым. Шэдым щынэсым, япэ къыпэщIэхуа бжэгъур къищтащ.. БРИЧКИНЭ шэдым пхокI. ЛIЫЖЬЫМ. Илъэс пщыкIубгъукIэ пщэдейм къыпигъэплъэ насыпым ежьэу псэуащ Бричкинэ Лизэ. Пщэдджыжь къэсыхукIэ и гур фIы ищIырт и щхьэр зыгъэунэзэну зыпэплъэ насыпым. Махуэхэр тхьэмахуэ хъурт, тхьэмахуэхэр - мазэ, мазэхэр - илъэс, ауэ насыпыр зиикI къыщIыхьэртэкъым фэтыджэн уэздыгъэр зи щхьэгъубжэхэм къыдидз унэ цIыкIум. БРИЧКИНЭ. «Псори зэфIэкIмэ, уэрэ сэрэ уэрэд жытIэнщ, Лизаветэ», - жиIащ старшинам. БРИЧКИНЭР макIуэ. ЛIЫЖЬЫМ. Псом нэхъыбэу ар зыхуейр зигу къыщIэгъун, Iэ къыдэзылъэн, псалъэ гуапэ къыжезыIэн гуэрт, - езым зэи зыкъиумысыжакъым, ауэ баи къыхуащIагъэнт - а бам хуэныкъуэ хъунт ар иджыпстуи, иджыри къэс щIэпсэу пщэдерей насыпым и нэщэнэу игъэувауэ. БРИЧКИНЭ. «Псори зэфIэкIмэ, уэрэ сэрэ уэрэд жытIэнщ, Лизаветэ», - жиIащ старшинам. БРИЧКИНЭ нэхъ псынщIэ зищIащ. ЛIЫЖЬЫМ. Лизэ Васковым, абы и псалъэхэм егупсысырт икIи ириукIытэжырт и нэкIущхьэхэр плъыжь къэзыщI гурыщIэ щэху гуэрхэр и псэм къызэрыщыушам. Зэгупсысыр зыт, здэкIуэм псынщIэу хъыбар ялъигъэIэсу... псори зэфIэкIмэ, старшинам и гъусэу уэрэд зэрыжиIэнурат, Iэмал имыIэу жиIэн хуейт. БРИЧКИНЭР мэпIащIэ. Бжэгъу иIыгъыр зэфIощIыкIри, ЛИЗЭ мэджалэ. БРИЧКИНЭ (мэкIий). Сыкъевгъэл!.. ФыкъыздэIэпыкъу!.. Сыкъевгъэл!.. ЛIЫЖЬЫМ. Лизэ и макъ жьгъырур куэдрэ щыIуащ мэз даущыншэм... БРИЧКИНЭ. ФыкъыздэIэпыкъу!.. ЛIЫЖЬЫМ. Лизэ куэдрэ дэплъеящ уафэ къащхъуэм, зи къару псомкIи зыщIэзышэ псыпцIэм къыхэкIыжыну гугъэрт, ауэ и жьэм жьэдэз хъуа псы фIейм итхьэлэу щIилъафэрт. БРИЧКИНЭ. Сыкъевгъэл… Абы тепсэ нэхур мэункIыфI. ЛIЫЖЬЫМ. ИгъащIэм и иужьрей дакъикъэр иухыху гугъащ ар фIы гуэр къыпэплъэу... Уэздыгъэ нэхур утыку нэщIым щоджэрэз. Ар утыкум илъ пилоткэ закъуэм къытоувыIэ. А псор пщащэ макъ жьгъыру дыхьэшхкIэ зэрехъуэкIри, нэху мэхъу. ВАСКОВ (МэкIий) ИIэ, иIэ, пщащэхэ, феужьэрэкI! ОСЯНИНЭ (жыжьэ къоIукI). Ехьэ-хьеееей! Иван Иваныч, къехулIэ мыбыкIэ!.. ГУРВИЧ. Дэ планыр дгъэзэщIащ! КОМЕЛЬКОВЭ. Дэ щIедгъэгъуащ а жыхуэпIэм! ЧЕТВЕРТАК. Бригадирым фыкъеджэт! МыбыкIэ, бригадир! ОСЯНИНЭ. Дэнэ щыIэ шыгур, Иван Иваныч? ГУРВИЧ. Ауу, пщафIэ! Пщэдджыжьышхэр гъэхьэзыр! ЧЕТВЕРТАК. Мыдэ фыкъеджэ псоми! Ауу! ЗэрогъэкIий, жыгхэр къагъауэ, мафIэхэр ящI. ВАСКОВРИ кIийрт, ауэ набдзэгубдзаплъэу лъэныкъуэ псомкIи зыщиплъыхьырт. КОМЕЛЬКОВЭ (къыIуохьэри, щэхуу). IукIахэу пIэрэ? ВАСКОВ. МэзылIыращ я гъуазэр абы. IукIагъэнкIи хъунущ (Маплъэ.) КОМЕЛЬКОВЭ. ТIу солъагъу. ВАСКОВ. ТIасхъэщIэххэращ... Заплъыхьыну, цIыху дапщэ дыхъуми зрагъэщIэну къежьауэ аращ... Дабжынурэ... егупсысынурэ... КОМЕЛЬКОВЭ губжьауэ гимнастеркэр зыщидзри, хыфIидзащ. ЗимыIэжьэу къыщылъэтри, щIыпIэ зэIухам илъэдащ. (Мыину жиIащ.) КъэувыIэ! КОМЕЛЬКОВЭ (ину кIиящ). Рая, Верэ, фыкъакIуэ зыдгъэпскIынщ! (ЕмыпIэщIэкIыу, и лъэгуажьэхэр кIэзызу и кIэр, и джанэр зыщихащ, и щIагъщIэлъхэр зыпиплъыхьурэ макъ жьгъырукIэ жиIэу хуежьащ.) Расцветали яблони и груши, Поплыли туманы над рекой. Выходила на берег Катюша, На высокий берег на крутой!.. Пщащэхэ! ФыкъакIуэт дыгъэ зевгъэут! Ивани фыкъеджэ. Ауу, Ванюшэ, дэнэ ущыIэ?.. ВАСКОВ (тегушхуэри, и кIэрахъуэр и жыпым ирилъхьэщ, джыдэр къищтэри, уэздыгъей къигъэуащ). Ехье-хьееей! СынокIуэ!.. (Гимнастеркэр зыщехри, ину жеIэ.) Районым къращIыкIащ: иджыпсту машинэ къагъэкIуэнущ… Аращи, зыфхуапэ, куэдщ дыгъэ зэрызевгъэуар. КОМЕЛЬКОВЭ Васковыр кърелъэфажьэри, загъэпскIыну гуэлымкIэ мажэ. (Дэджэгу хуэдэу зищIурэ зыкъыIэщIеудыжри, пщащэм и щыгъынхэр къещтэ. (Щэхуу) IукI мыбдеж, Комельковэ. (И макъым зрегъэIэт) ДахэкIэ ухуэмеймэ, псоми уакъезгъэлыжынщ! КъыслъэщIыхьэт!.. КОМЕЛЬКОВЭ. Къызэтыж!.. (КIий хуэдэу зищIурэ иужь иуващ.) ВАСКОВ (хуемыплъэкIыу и кIэр хуешииж). Зыхуэпэж! Куэдщ мафIэм фызэрыдэджэгуар! Куэдщ! КОМЕЛЬКОВЭ и щыгъыныр къимыщтэу и IэмкIэ и нэкIур иубыдщ, етIысэхри, къэгъащ. ЧЕТВЕРТАК (мэгуфIэ). Дгъэшынащ нэмыцэхэр! Дгъэшынащ!.. КОМЕЛЬКОВЭ. Иджы гуэлым и хъуреягъым зы жэщ-махуэкIэ къекIуэкIын хуейщ! ОСЯНИНЭ. Женькэ-щэ, Женькэ!.. И Iэпкълъэпкъ зэкIужымкIэ… ГУРВИЧ. Нэмыцэхэм я нэр ирищIащ!.. ВАСКОВ (гуфIэурэ). ЗэфIэкIащ иджы!.. ЗэфIэкIащ. Иджы дэнэ кIуэн? Иджы Бричкинэр и чэзум къэсыжамэ. ОСЯНИНЭ. Къэсыжынущ. ПсынщIэ цIыкIущ ар. ВАСКОВ. ТIуэкIу-тIэкIу дызэдевгъафэ абы щхьэкIэ (фляжкэр къызэIуихащ) Девгъафэ, пщащэхэ, Бричкинэ и лъакъуэ псынщIэ цIыкIухэмрэ фи щхьэ жан цIыкIухэмрэ папщIэ... Пщащэхэм къэлътмакъхэр къызэкъуахауэ шхын ягъэхьэзыр, щIакхъуэ яупщIатэ. Нэмыцэ зауэлI пщыкIухри щыму блокIри, кIыфIым зыхагъапщкIуэ. ВАСКОВ. Си ужь ит, Маргаритэ. Сыкъэтэджрэ - къэтэдж, сыгъуэлърэ - гъуэлъ. Уи нэкIи уи тхьэкIумэкIи утемыплъэкъукI! (Памэри, пыгуфIыкIащ.) КъыпщIихьэрэ? Я хабзэм игъэунэхъуащ мы нэмыцэхэр: кофе ефэн Iуэху зэрахуэ. ОСЯНИНЭ. Дэнэ щыпщIэр? ВАСКОВ. Iугъуэ щыIэщ, абы къикIыр пщэдджыжьышхэ ящIыну тIысауэ аращ. Ауэ зэрыпщыкIухыу зэдэшхэну пIэрэ? (Гупсысэщ. И бгырыпхыр щIикъузэри, кIэрахъуэр иIыгъыу, жыгым зригъэщIащ.) Бжын хуейщ дапщэ хъуми, Маргаритэ, зыри къакIэрымыхуауэ пIэрэ. Мыдэ къэдаIуэ. Зэхэуэм щIэддзэ хъужыкъуэмэ, уэ занщIэу IукI. Хъыджэбзхэр гъусэ щIыи, къуэкIыпIэмкIэ фунэтI, каналым фынэсыху. Абдежым нэмыцэхэм я хъыбар щахуэпIуэтэнщ. Абы щыгъуэм деж яIэрыхьауэ щытыну хъунщ хъыбар, Бричкинэ Лизаветэ ди разъездым нэблагъауэ щытын хуейщ иджыпсту. Псори къыбгурыIуа? ОСЯНИНЭ. Хьэуэ. Уэ-щэ? ВАСКОВ. Сэ си Iуэху зумыхуэ уэ, Осянинэ, къэгъанэ. Мыбы мэракIуэрэ Iэгъэбэгурэ къэтщыпыну дыкъэкIуауэ аракъым. Сэ сыкъалъагъу хъумэ, псэууэ саIэщIэкIынукъым, абы зы шэчи къытумыхьэ. Аращи, занщIэу IукI. КъыбгурыIуа унафэр? Сыт хуэдэ жэуап къызэптыжын хуейр, Осянинэ? ОСЯНИНЭ. ГурыIуэгъуэщ - аращ уэстыжын хуей жэуапыр. ВАСКОВ къыпыгуфIыкIщ аби, зригъэзыхри, щIэпхъуэжащ. ОСЯНИНЭР етIысэхащ. ВАСКОВ (губжьауэ). Усэлэт мыхьэнэншэщ уэ, ныбжьэгъу Осянинэ. Сэлэт мыфэмыц. ОСЯНИНЭ (пыгуфIыкIащ). Сыт щхьэкIэ? ВАСКОВ. Жыг лъэдакъэм утетIысхьауэ щхьэ утес? Ущылъын хуейуэ унафэ пхуэсщIащ. ОСЯНИНЭ. ЩIыр псыфщ, Федот Евграфыч. ВАСКОВ (мыарэзыуэ). Псыфщ… Уи насыпти, нэмыцэхэр кофе йофэ, армыхъумэ, уи ажалыр къагъэсат. ОСЯНИНЭ. КъэпщIащ, сытми?.. ВАСКОВ. Сэ сыкуэзырыдзкъым, Осянинэ. ЦIыхуипщIыр машхэри щысщ - аращ слъэгъуар. Адрейхэр я къулыкъум пэрыту арагъэнущ. ЗыщIыпIи пIащIэ хуэдэкъым: я лъэпэдхэр мафIэм деж щагъэгъущ. Дэ дыздэщыс щIыпIэр тхъуэжыну и чэзу дыдэщ. Сэ мы мывэхэм къыщыспщыхьынщ, зысплъыхьынщ, уэ ди сэлэтхэм я деж зич. ЗывгъэпщкIуурэ, мыбдеж фыкъекIуэлIэж. Зы дыхьэшх макъ къэвмыгъэIу! ОСЯНИНЭ. КъызгурыIуащ. ВАСКОВ. Иджыри зы: мобдежым си махоркэр згъэгъущыну теслъхьащ, кхъыIэ, къысхуздэщтэж. Си хьэпшыпхэри. ОСЯНИНЭ. Къэсщтэжынщ, Федот Евграфыч. Хъыджэбзхэр я хьэпшыпхэмрэ Iэщэхэмрэ яIыгъыу къохьэ. ФыIэуэлъэуакъым, фыхъыджэбзыфIщ!.. ФетIысэх, моуэ, ауэ иджыри фымыIэуэлъауэ. Си чысэр къэпщтэжат? Тутын семыфэмэ, сызэгуэудынущ. ОСЯНИНЭ (и Iэр ищIри). Къысщыгъупщащ! Федот Евграфыч, си псэм хуэдэ, къысщыгъупщащ!.. ВАСКОВ (тоуIуэ). Мыдэ мыр, цIыхубз щхьэкуцIыншэ, фIыуэ угъэсысын хуейт уэ! УцIыхухъуу щытамэ, фIыуэ укIуэцIыскъухьынти, уэзгъэгъэзэжынт... (погуфIыкI). Хъунщ, зэфIэкIащ ар. Махоркэ сиIэщ иджыри. Си хьэпшыпхэр зэрылъ хъуржыныр къыфщыгъупща хъункъым? ЛIЫЖЬЫМ. Ар къыздащтэжат, махоркэр къазэрыщыгъупщаратэкъым абы щыгъуэ си жагъуэ хъуар, атIэ си чысэ цIыкIурат, ар хэдыкIат: «ПщIэ зыхуэсщI Хэкум и хъумакIуэм»… ГУРВИЧ. Къэсхьыжынщ иджыпсту! Сэ сощIэ ар здэщылъыр!.. (ЖэрыгъэкIэ щIэпхъуащ.) ВАСКОВ. Дэнэ, сэлэт Гурвич?.. Ныбжьэгъу зэдзэкIакIуэ! ГУРВИЧ щIэпхъуащ. ВАСКОВ. ШырыкъужьымкIэ зэрытеуэ ар… ЧЕТВЕРТАК. Ар, ныбжьэгъу старшина, Гурвич Соня мыбы ипэ зэи шырыкъу щыгъакъыми аращ, икIи тIукIэ хуэину къратащ. Вакъэр щыпхуэхъум деж апхуэдизу макъ ищIкъым, щыиным деж тоуэ: ар дэтхэнэ кадровикми ещIэ. ВАСКОВ. Гурвич къэкIия си гугъэщ? Псори мэдаIуэ. ОСЯНИНЭ. Хьэуэ, къыпщыхъуауэ аращ. ЛIЫЖЬЫМ. Жыжьэу къэIуа бауэкIэщI макъым афIэкIа къытригъэзэжакъым, ауэ Васков Iуэхур зытетыр къыгурыIуати, и фэр зэрыпыкIыр плъагъурт. Макъ къэIуар апхуэдизкIэ зыхищIати, старшинам и гур пыхуащ, абы ищIэрт къэхъуар, къыгурыIуащ а зыхиха макъым къикIыр... ВАСКОВ. Комельковэ, сиужь къиувэ, адрейхэр псори мыбдеж фыкъыщыдэжьэ. ВАСКОВРЭ КОМЕЛЬКОВЭРЭ пIащIэу бгъэдолъадэ хъыджэбз къаукIам. КОМЕЛЬКОВЭ. Нэмыцэхэра?! ВАСКОВ (ЕтIысэхауэ Соня и гимнастеркэр етIатэ, и гур къеуэрэ къемыуэрэ йодаIуэ). Хъуакъым ар. Хъуакъым. Арати уэ укъыщIыхэкIиикIар... ЛIЫЖЬЫМ. КIиину Iэмал щIиIэжар и гум занщIэу зэрынэмысаращ. Бийм сэр зыхиIур цIыхухъу и гугъащ, япэ уэгъуэм нэсакъым ар пщащэм и гум, и бгъэр зэран хъуащ. (И щIыIухэр ипхэжри, и пщампIэхэр зэригъэзэхуэжащ, и Iэхэр и бгъэм щызэтрилъхьащ). ВАСКОВ. Мыбдеж тIэкIурэ щылъ, Сонечка… КОМЕЛЬКОВЭ гужьеящи, мэкIэзыз. (Губжьауэ.) Комельковэ, уи гум хэбгъэхьэну зэман диIэкъым (Набдзэгубдзаплъэу зиплъыхьащ.) ЛъакъуапIэ... Мыбдежхэм щыIэщ ахэр… ЛIЫЖЬЫМ. Гъунэгъу дыдэт … ВАСКОВ. Апхуэмыдэу пIэрэ зэрыщытар?.. ЛIЫЖЬЫМ. Къежьэу пIэрэт ахэр хъыджэбзым? ВАСКОВ. Заущэхуауэ мо зауэм и пIалъэ зымыщIэ хъыджэбзхэмрэ сэ… ЛIЫЖЬЫМ. тIасхъэщIэх орден зиIэмрэ... Езыхэрауэ пIэрэт-тIэ къызэплъакIуэр, сэ сакIэлъыплъ си гугъэжу?.. ВАСКОВ. Хьэуэ! .. ДалъэщIыхьэн!.. ДалъэщIыхьэн хуейщ!.. Дынэсмэ, зэхэдгъэкIынщ! ЛIЫЖЬЫМ. АпхуэдизкIэ си кIуэцIым псори къыщыкъуалъэрти, узи зыхэсщIэжыртэкъым. ВАСКОВ (къэувыIащ). Бауэ тIэкIу… Мес ахэр… Иджыпсту къыдблэкIынущ... ЗыгъэпщкIу… Бабыщыхъу хуэдэу сыкъызэрыкIийуэ, макъ гуэр егъэщI. Мывэм еуэ, Iэщэ дакъэмкIэ теуIэ, уи дежкIэ нэплъэн хуэдэу. ИтIанэ занщIэу зыущэхуж. КъыбгурыIуа псори? КОМЕЛЬКОВЭ. КъызгурыIуащ. ВАСКОВ. СыкъэкIия нэужь. АпщIондэху зумыгъэхъей. КОМЕЛЬКОВЭ зегъэпщкIу. Си Iуэхущ, сэ уэ укIиину Iэмал уэстмэ... Уей умыкIиину-тIэ!.. Тыншу узгъэлIэнкъым сэ. Уи нэм къеIэм и псэм еIэ - арыншауэ хъунукъым... (И кIэрахъуэр хъумпIырэм ирилъхьэжри, къуентхъ къищIа сэр къызэкъуихащ. Зиущэхуащ.) Нэмыцэ сэлэтитIыр къохьэ. Бабыщыхъур тIэу мэкIий. Нэмыцэхэм заплъыхь. Я щIыбагъымкIэ зыгуэр тоуIэ. СэлэтитIыр зоплъэкI, абы хэту Васков зым и щIыбым къыдолъэри, сэр и пщэм хехуэ. Ар щыджалэкIэ, адрейм дежкIэ зедз, арщхьэкIэ, сэмкIэ лъэIэсыркъым, и фочыр къыIэщIеуд, езым и сэр Iэпоху. Зызэрадзри, мэджалэ, джэрэзу зобэн. Нэмыцэр и щIыIу къохъури, Васков и гущIыIу йотIысхьэ, сэкIэ фIигъэжыну зыщишийм... Комельковэр къыкъуокI, щхьэщохьэри, Iэщэ лъэдакъэмкIэ и щхьэм йоуэ. Нэмыцэ сэлэтыр Васков тоукIурие. Васков ар къыIуедзыжри, и гущхьэм сэр хеIу. (БауэкIэщIу щысщ). ЛIы урокъу, Комельковэ… ФIыщIэ тхылъ … уэстынущ… (къэтэджыну къокъури, хузэфIэкIыркъым, жьы зыхуримыкъу бдзэжьейм хуэдэу жьэдешэ) Аращ, Женэ.. тIукIэ нэхъ мащIэ тщIащ ди бийхэр... КОМЕЛЬКОВЭ и Iэщэр хыфIидзэри, зигъэшу, ебгъунлъэкIыу, къуацэм хэлъэдащ. Лъэгуажьэмыщхьэу увауэ къожь, мэубжьытхэ, и анэм еджэ щIыкIэу зыгуэрхэр жеIэ... (Васков къэтэджри, ней-нейуэ зиплъыхьащ. Автоматхэмрэ шалъэ лейхэмрэ къищтащ. И чысэри къигъуэтыжри, и Iэгум ирикъузащ. Комельковэм бгъэдохьэ) КОМЕЛЬКОВЭ (иджыри лъэгуажьэмыщхьэу зэрыщысщ, къожь) IукI... ВАСКОВ (и чысэр ирегъэлъагъу). Къэтэдж, Женя… (ДоIэпыкъури къегъэтэдж.) Куэдщ. Мыбы зыщ къыбгурыIуэн хуейр - цIыхукъым ахэр. ЦIыхукъым, сэлэт, уеблэмэ псэущхьэкъым - фашистщ ахэр. Мис апхуэдэущ узэрегупсысынур. Дыдейхэр къыпхуэгъуэтыжыну уэ хьэмэрэ сынэкIуэн уи гъусэу? КОМЕЛЬКОВЭ. Къэзгъуэтынщ. ВАСКОВ. КIуэ-тIэ. Псори зэгъусэу Соня деж фынакIуэ. МобыкIэ. Ушынэрэ уи закъуэ? КОМЕЛЬКОВЭ. Хьэуэ. ВАСКОВ. Сакъ итIани. КъыбгурыIуэн хуейщ. КОМЕЛЬКОВЭ. КъызгуроIуэ… ВАСКОВ. Ежьэ-тIэ. Зыщивмылъэфыхь абдеж. ИужькIэ фегупсысынщ абы. Лъэныкъуэ зырызкIэ зэбгрокI. Васков Соня и хьэдэм деж къыщызэтоувыIэ. ВАСКОВ йотIысэхри, Соня и гимнастеркэ жыпым комсомол билетыр, зэдзэкIакIуэ курсхэр къызэриухам щыхьэт техъуэ тхылъыр, письмоитI, зы сурэт кърехри, езым и жыпым ирелъхьэ. Езым и партбилетыр зэрылъ сэмэгурабгъу жыпым. КъыIукIуэтыжри, тутыныр пигъэнащ. Птеухуауэ зыгуэр зытхыни димыгъусэ, си зэдзэкIакIуэ цIыкIу... Хъыджэбзхэр къохьэ. ЧЕТВЕРТАК Соня къилъагъури, къыхэкIиикIащ. ОСЯНИНЭ (щIэкIиящ). Умыхьэлыншэ!... ЗомыфыщIыж апхуэдэу!.. ЧЕТВЕРТАК зиущэхужащ, Соня и щхьэм лъэгуажьэмыщхьэу щхьэщытIысхьэри, щэхуу гъащ. ВАСКОВ. ИIэ, зэвгъэзэхуэж… Сын хуэдэ тIэкIу… Iуащхьэщ ихъуреягъыр, уекIуэлIэфкъым.... (Мащэ къигъуэтри, жыг къудамэхэр лъэгум иридзащ.) ОСЯНИНЭ. ФIыуэ еджэт. Тху защIэу щеджащ школми университетми. ВАСКОВ. НтIэ. Усэ къеджэу зэхэсхырт. ЛIЫЖЬЫМ. Ауэ ахэратэкъым нэхъыщхьэр. Соня унагъуэ ихьэу сабий къилъхун хуеят, и бынхэм къуэрылъху-пхъурылъхухэр къыхуалъхужын хуеят. Зэпычащ иджы а гъащIэ Iуданэр. СэкIэ зэпаупщIащ цIыху гъащIэр зэIузыщэ Iуданэр... ВАСКОВ (щэхуу). Къафщтэ… КОМЕЛЬКОВЭМРЭ ОСЯНИНЭМРЭ Соня и дамащхьэмкIэ къыщаIэт, ЧЕТВЕРТАК – и лъакъуэр. Лъапэрапэурэ ирахьэжьащ, ЧЕТВЕРТАК джалэ пэтащ. И лъакъуэ лъэныкъуэм чуни зэрыфIэлъщ. ВАСКОВ Соня и шинелыр иIыгъыу ябгъурыту ирокIуэ. ФыкъэувыIэт! ВгъэтIылъ. (Осянинэм хуемыплъэкIыу зыхуегъазэ.) И лъакъуэмкIэ Iыгъыт. ОСЯНИНЭ. Сыт щхьэкIэ? ВАСКОВ. Iыгъ къыщыбжаIакIэ, Iыгъ... мыбдежракъым… и лъэгуажьэр. (Соня и шырыкъум къоIэри, къылъех.) ОСЯНИНЭ. Сыт ?.. Апхуэдэу щхьэ пщIа!.. ВАСКОВ. ЩIэсщIар ди гъусэ сэлэтыр лъапцIэщиращ! ЧЕТВЕРТАК (мэкIэзыз). Хьэуэ, хьэуэ, хьэуэ!.. ВАСКОВ (мэщатэ). Сывдэджэгукъым сэ, хъыджэбзхэ, псэухэращ дызэгупсысын хуейр: зауапIэм апхуэдэ хабзэщ щыщыIэр. Iыгъыт, Осянинэ. Унафэщ мыр, Iыгъ. (ЕтIуанэ шырыкъури къылъечри, Четвертак Галя хуедз.) ЩытIагъэ. Умышынэ, иIэ-иIэ, нэмыцэхэр дэ къыдэжьэнукъым. (Осянинэм зыхуегъазэ.) Фоч бгъэуа зэгуэр? ОСЯНИНЭ. Дыдейщ згъэуар. ВАСКОВ. Мэ, убыд, нэмыцэхэм яйр. Къыпхуэгъэсэбэпыну къысщохъу. КIыхьу умыгъауэ... (Зиплъыхьащ.) Сэлэт Четвертак, сыт пщIэр? Сыт щIыщумытIэгъар? ЧЕТВЕРТАК. Хьэуэ!.. Хьэуэ. Хьэуэ. Хьэуэ! Хъунукъым апхуэдэу! Сэзэгъынукъым ар ! Сэ си анэр – медицинэм и лэжьакIуэщ… ОСЯНИНЭ (щIэкIиящ). ПцIы умыупс! Къэгъанэ! Анэ уиIэкъым уэ! ИкIи уиIакъым! УхыфIадзауэ аращ уэ, къомыгупсыс куэдрэ! Игу хыхьауэ, гуузу гъыуэ, лъэныкъуэкIэ IукIащ ЧЕТВЕРТАК. Сабий унэм и теплъэ къохутэ. ЛIЫЖЬЫМ. Галя пэж дыдэу хыфIадзауэ арат, и унэцIэри Сабий унэм къыщратауэ аращ. Четвертак. Псом нэхърэ нэхъ цIыкIут, плIанэкIэ нэхъ лъахъшэт. АдэкIэ Iуэхугъуэ щхьэхуэ (интермедия) къокIуэ: Галя илъэсипщI щыхъум цIэрыIуэ ищIат Сабий унэм зэи щамылъэгъуауэ къиIэта къаугъэм. Жэщым и Iуэху зэфIигъэкIыну къэтэджауэ, гужьеигъуэу кIийуэ хуежьэри, гъэсакIуэхэр къигъэушащ. ПэIущIэ кIыфIым къыщаубыдыжа Галя, и нэр мыджылу, къызэхуэсахэм яжриIэт, лIыжь жьакIацэ гуэрым щIыунэм ихьыну ирихьэжьауэ. "Сабийхэм къатеуаIауэ" хъыбару ирахьэжьащ, Iуэху къаIэтащ. Iуэхур къилъахъэрт Iэгъуэблагъэм зы лIыжь жьакIацэ зэримысым. Галя тэмакъкIыхьу пкъырыупщIыхьырт къакIуэ следователхэмрэ Шерлок Холмсу зыкъэзылъытэжхэмрэ. Хъыбарыр яIуатэм яIуатэурэ нэхъ гъэщIэгъуэныж хъурт. Галя и ныбжьэгъу, и унэцIэр хуэкIуэпсу къыхуэзыгупсыса завхоз лIыжьращ Галя жиIэхэр къызэригупсысар къыжьэдэзышыфар. Галя куэдрэ ягъэбэмпIащ, нэмыплъи къратащ, ауэ зы псысэ цIыкIу къигупсысауэ арат абы. Пэжщ, псысэр IэпхъуамбэжьакIэ хуэдиз фIэкI мыхъу щIалэ цIыкIум теухуам ещхьщ, ауэ щIалэ цIыкIум и пIэкIэ хэтыр хъыджэбз цIыкIут, етIуанэрауэ, лIыжь жьакIацэрэ щIыунэрэ хэттэкъым. Галя и цIэрыIуагъри ужьыхыжащ псысэр зэраужэгъуу. Абы апхуэдэ афIэкIа къигупсысакъым, ауэ сабий унэм псалъэмакъ къыщрахьэкI хъуащ щихъым щIитIа налкъутналмэсхэм теухуауэ. Сабий унэм щыIэу хъуар зэщIиубыдащ а хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъуэтыным. Къулъшырыфым и пщIантIэр пIалъэ кIэщIым "яват". УнафэщIхэм къэхъур къагурымыIуэ щIыкIэ я щIыунэхэм чэсей хужь зытепхъуа хьэдэджадэхэр къыщIэхутэ хъуащ. Ахэр псоми ялъэгъуащ, сабийхэр жэщым къыщIэкIын шынэ хъуащ. Iуэхум нэхъ Iеижу зиубгъу щыхъум, гъэсакIуэхэхэр щэхуу ещакIуэу хуежьащ хьэдэджадэхэм. ИкIи япэ дыдэу къаубыда хьэдэджадэр Четвертак Галэу къыщIэкIащ, чэсей хужьыжьыр тепхъуауэ. Абы иужь Галя нэхъ Iэсэ хъуащ. ФIыуэ еджэрт, октябрятэхэм ядэлажьэрт, уеблэмэ хорым хэтт. Ауэ езы цIыкIур щхьэ закъуэу уэрэд жиIэну, бостей кIыхь дахэ щыгъыу утыку къихьэну ехъуапсэрт. Ауэрэ и япэ лъагъуныгъэри къэунэхуащ. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэми ямылей гуэр хилъхьэну фIэфIтэкъэ, мыбдежи арат - сабий унэм зэрыщыту тхыгъэ, нэпс, псалъэ щIэз ищIат. Аргуэрыжьти, псалъэмакъ хэхуащ, абы къыхэкIыу, хъыджэбзыр япэIэщIэмэ нэхъ къащтэу, библиотекэ техникумым ягъэкIуащ, стипендие нэхъ лъагэ къихьу. Зауэр къыщыхъеям Галя ещанэ курсым щIэст. ИкIи япэ дыдэ блыщхьэ махуэм зыхэс гупыр военкоматым екIуэлIащ. Гупым хэту хъуар къащтащ, ауэ Галя и лъагагъкIи и ныбжькIи хуэкIуэтэкъыми къэнащ. АрщхьэкIэ, къикIуэт ищIэрэт абы, махуэ къэс военкомым деж кIуэурэ и щхьэр иригъэужэгъуащ. Подполвникым афIэкIа щыхуэмышэчыжым, хабзэм къемызэгъыу, Галя зенитчицэу игъэкIуащ. Уи хъуэпсапIэр къызэрохъулIэу и IэфIагъыр псынщIэ дыдэу пщогъупщэж. Дуней ткIийт икIи гущIэгъуншэт ар къызыхэхуар, лIыхъужьыгъэ зэрихьэу щыIэн и гугъати, дзэ уставым къыхуигъэувхэр ищIэн хуейуэ къыщIидзащ. И щIэщыгъуэр псынщIэ дыдэу икIри, фронтым теухуауэ и нэгу къыщIигъэхьа гурыфIыгъуэхэм зыкIи емыщхь гъащIэм къыхэхутащ. Галя гуитIщхьитIу, нэщхъейуэ, жэщхэм къыпыгъыкIыу зэманыр игъакIуэрт. Ауэ Женя цIыхугъэ къыхуэхъури, и гъащIэм гурыфIыгъуэ защIэу зыкъызэридзэкIащ. КОМЕЛЬКОВЭ. Щхьэ апхуэдэу жыпIэрэ, Ритэ, щхьэ апхуэдэу ущыт? (Четвертак IэплIэ хуещI.) Дэ апхуэдэу дызыхуэгущIыIэ хъунукъым, армыхъумэ хьэIуцыдзым ещхь дыхъунущ. Нэмыцэхэм ещхьу хьэIуцыдз. ОСЯНИНЭ зиущэхужащ. ЧЕТВЕРТАК къыпыгъыкIыурэ, шырыкъур щитIэгъащ. ВАСКОВ. ИIэ, къафщтэ… ( Соня шинелым кIуэцIашыхьри, къаIэтащ.) ЩыщIэтлъхьа щIыпIэр картэм къыщызгъэлъэгъуащ. Зауэр иухмэ, сын хуэдгъэувынщ. Автоматхэр мауэ, зэхэуэм щIедзэ. ВАСКОВ (кIыфIым къыхопсэлъыкI). Фыгъуэлъ!.. Къоуэ. Нэху ятредзэ зи фочыр зыгъауэ ВАСКОВЫМРЭ ОСЯНИНЭМРЭ, итIанэ КОМЕЛЬКОВЭМ, зи Iэщэр хыфIэзыдзэу и тхьэкIумэр иIыгъыу щIым зезыдзыха ЧЕТВЕРТАК. Зэхэуэ мэхъу. ВАСКОВ. ЗэфIэкIащ. ЩIэпхъуэжащ. ОСЯНИНЭ (щэхуу). Зыгуэр къыптехуа? ВАСКОВ. Хьэуэ. Уэ мыбдежым зыщыплъыхь Осянинэ. Сэ псори IукIыжарэ IумыкIыжарэ сеплъынщ. (Автоматыр къещтэри, сакъыурэ гупэмкIэ макIуэ.) ОСЯНИНЭ (Четвертак щхьэщыхьауэ. Ину ). Тэдж! ЧЕТВЕРТАК гъырнэкIуу къызэфIотIысхьэ. КОМЕЛЬКОВЭ. ИкIагъэщ ар – уи ныбжьэгъухэр зауэ губгъуэм къибнэну! ИкIагъэщ!.. Комсомолецхэм апхуэдэу ящIэркъым! ЧЕТВЕРТАК и нэпсыкIэр щIиутхыкIыу щIедзэ. ОСЯНИНЭ. Щыгъэт! ГущIэгъу лъэпкъ пхуэсщIынукъым! Женькэ пэжщ жиIэр. Комсомолым ухагъэт хъунукъым уэ! ВАСКОВ зимыIэжьэу къохьэ. ОСЯНИНЭ. Уэ укоммунист, ныбжьэгъу старшина? ВАСКОВ (къэуIэбжьауэ). Большевик партым сыхэтщ сэ… ОСЯНИНЭ. Комсомол собранэм и унафэщIу ущытыну дынолъэIу! ВАСКОВ (къэхъур къыгурымыIуэу). Собранэми? КОМЕЛЬКОВЭ (губжьащ). Шынэкъэрабгъэ къытхэщ!.. Мис аращ!.. ВАСКОВ (ябгэу). Собранэр – хъарзынэщ! ФIы дыдэщ собранэр! Зэхуэс едгъэкIуэкIынурэ ныбжьэгъу Четвертак жэуапым етшэлIэнущ, лIыгъэншагъэ зэригъэлъэгъуам папщIэ, протокол ттхынущ. Ара?.. Пщащэхэм заущэхуащ. Уеблэмэ езы ЧЕТВЕРТАКИ гъын щигъэтауэ, и пэр дрилъэфейуэ, даIуэрт. ИтIанэ а ди протоколым нэмыцэхэм резолюцэ къытхутрадзэнщ. Хъуну... Хъунукъым. Абы къыхэкIыу, старшина хуэдэуи, коммунист хуэдэуи, зэхуэс лъэпкъ щымыIэну унафэ сощI. ЩытыкIэри фхузоIуатэ: нэмыцэхэр мэзым щIыхьэжащ. Лагъымыр къыщыуа щIыпIэм лъы куэд щыжащ: абы къокIыр зыгуэрым дыхурикъуауэ. Иджы пщыкIущ хъунщ зэрыхъужыр. Ар япэ упщIэращ. ЕтIуанэу, сэ си кIэрахъуэм нэмыщI, зы шалъэ сIыгъыжу аращ. Уэ-щэ, Осянинэ? ОСЯНИНЭ. Зырэ ныкъуэрэ. ВАСКОВ. Аращ сытми. Шынэкъэрабгъэм и Iуэху зыхэзывмыгъэх афIэкIа. Шынэкъэрабгъэр, хъыджэбзхэ, зауэм етIуанэу щыIэхэращ зыдэплъагъур. Фэ Iэнкун фыхъуу аращ, зауэм и пIалъэр зэрывмыщIэм къыхэкIыу. Пэжкъэ, сэлэт Четвертак? ЧЕТВЕРТАК (и пэр дрелъэфей). Пэжщ… ВАСКОВ. АтIэ уи нэпс-пэпсхэр плъэщIыну унафэ пхузощI. Осянинэ ди япэ йощри, мэзыр къызэхеплъыхь. Адрей сэлэтхэр федзакъэ, Iэмал зэриIэкIэ, зывгъэпсэху. УпщIэ щыIэкъэ? АтIэ жысIар вгъэзащIэ! Зыми зы псалъэ жимыIэу зэдэшхащ. ЛIЫЖЬЫМ. Дызыщыгугъ дэIэпыкъуэгъухэм хуабжьу загъэгувэрт, нэмыцэхэр пшапэр зэхэуэмэ, къыкъуэхункIэ хъунут е мэзым зыщIагуэшэнут, итIанэ къэлъыхъуэ уэ ахэр. Аргуэрыжьу лъыхъуэн, я кIэр къэубыдын хуейт, здэщыIэр тщIэн папщIэ. Хуейт, ауэ, къару диIэжтэкъым... ВАСКОВ (къэтэджщ, и бгырыпхыр щIикъузэри, и нэщхъыр зэхэлъу). Бийм и лъыхъуакIуэ си гъусэу нежьэр сэлэт Четвертакщ. Мыбдеж нэхъыжьу къанэр – Осянинэщ. Ди къалэныр дызэпэжыжьэу, ауэ зыр зым иужь диту дыкIуэнырщ. Фоч уэ макъ зэрызэхэфхыу зывущэхуну унафэ сощI. Зывущэхуи, дэ дыкъыIухьэжыху фыкъыдэжьэ. ДыкъыIумыхьэжрэ – закъевмыгъэлъагъуу, къухьэпIэмкIэ фыунэтI. Япэу фызыхуэзэ дыдейхэм хъыбар яжефIэнщ. ЛIЫЖЬЫМ. Сигуи къэкIат Четвертак апхуэдэ IуэхукIэ къыздумыщтэмэ зэрынэхъыфIыр. Комельковэт дзыхь нэхъ зыхуэщIыпхъэр: тIэу згъэунэхуат, зы махуэм къриубыдэу тIэу - япэ къэс цIыхухъум зигъэщIэгъуэфынутэкъым апхуэдэ хахуагъэкIэ. Ауэ командирыр дзэм и унафэщI къудейкъым, атIэ и унафэ щIэтхэми гъэсакIуэ яхуэхъун хуейуэ и къалэнщ. ВАСКОВ (Четвертак зыхуегъазэ). Уи къэлътмакъымрэ шинелымрэ мыбдеж къыщынэ. Си ужьым уимыкIыу къакIуэ, зуплъыхьурэ. Уэздыгъэр къыщIонэ. ВАСКОВРЭ ЧЕТВЕРТАКРЭ ирокIуэ. ВАСКОВ. Мыбдеж къыщызэжьэ. (ИкIащ.) ЛIЫЖЬЫМ. Галя мы дунейм ищIэж щыIэтэкъым: Соня и нэкIу диижар, и нэ зэтепIахэр, лъыр зыкIэрыгъуа и гимнастеркэр, и бгъэгум телъа уIэгъитIыр ягъусэжу и нэгу щIэт зэпытт.. Ауэ ажалым фIэкIыжауэ, и щхьэм хуимыгъэкIыр сэр цIыху Iэпкълъэпкъым зэрыкIуэцIыхьэрт, макъ ищIу фэми, лыми зэрыкIуэцIырыкIырт, уеблэмэ лъым и мэр къыщIихьэрт. А псом егупсысурэ и щхьэр зэIыхьэным нэсауэ ирикIуэрт, здэщыIэри ищIэри къыфIэмыIуэхужу. Сэ, дауи, а псор сщIэртэкъым. Си гъусэ зауэлIыр укIа хьэзыру си гугъакъым. Нэмыцэхэм я деж нэмысуи, зы биипсэ имыгъэнуи лIат ар, яукIат. ВАСКОВ къихьащ. ВАСКОВ ( Четвертак и нэ плъэгъуэр къиубыдри). ЛIо, Галкэ? ЛIЫЖЬЫМ. Мэшынэ… ГукIи псэкIи мэшынэ… ВАСКОВ. (Гукъыдэжу иIэр къызэщIикъуэри, хуэгуфIащ, нащхьи хуищIащ.) ТIу щыхэдгъэщIащ, Галя, мобдеж! Иджы пщыкIутI хъужу аращ. Ар дэркIэ шынагъуэжкъым, ныбжьэгъу зауэлI! ЗырикIщ ахэр дэркIэ! Зыри пидзыжакъым жэуапу, хуэгуфIакъым икIи. Павел Корчагин теухуауэ уеджа зэгуэр? ЧЕТВЕРТАК ней-нейуэ хуеплъэкIри, и щхьэр ищIащ. (Игу къызэрыгъуэтыжащ.) Уеджащ. Сэ мис мы уэ узэрыслъагъум хуэдэу слъэгъуащ ар. НтIэ. ФIыуэ еджэхэр Москва дашат. Мавзолейм, уардэунэ гуэрхэм, музейхэм зыщыдагъэплъыхьащ, Корчагинми дыхуагъэзащ. Къулыкъушхуэ зэриIыгъым емылъытауэ, цIыху къызэрыгуэкIт. Гу къабзэ иIэт. Дригъэблагъэри, шеибжьи дригъэфат, къытщIэупщIат. ЧЕТВЕРТАК (щэхуу). Сыт сыкъыщIэбгъапцIэр. Пкъыуэ хъуауэ хэлъщ Корчагиныр. ИкIи Корчагинтэкъым ар, Островский тхакIуэрат. Зыри илъагъукъым абы иджыпсту икIи зигъэхъеифыркъым, техникум псом письмохэр хуэттхыу щытащ абы. ВАСКОВ. А, нэгъуэщI Корчагину къыщIэкIынщ… Сыщыуагъэнщ. СщIэркъым. Ауэ, зэрыжаIамкIэ... Зэ къэувыIэ. Къудамэ макъ зыхэсхащ. Гъуэлъ. Зыущэху.... ЛIЫЖЬЫМ. Галя пцIы имыупсу хузэфIэкIынутэкъым. Къапщтэмэ, пцIы зэхилъхьэу аратэкъым абы, атIэ и хъуэпсапIэхэр нахуапIэу къызыщигъэхъуу арат. Апхуэдэу къэунэхуащ медицинэм и лэжьакIуэ и анэр, езым и фIэщ хъужат анэ иIэу. Анэ! Хуэмышэчу нэмыцэхэм я пащхьэм кIийуэ зридзащ ЧЕТВЕРТАК. ЧЕТВЕРТАК (гужьеяуэ мэкIий). Фыкъызэмыуэ! Фыкъызэмыуэ! Фоч уэ макъ къоIу. (Мэджалэ.) Мамэ! Мамочка-а!.. ВАСКОВ (нэхум хэлъадэурэ). ХьэIуцыдзхэ!.. (Автоматыр ятрегъэлъалъэ.) Лъэныкъуэ псомкIи фоч уэ макъ къыщоIу. Уэздыгъэ нэхухэр зэблокI, абыхэм къахощ-хокIуэдэж зэм ВАСКОВЫР, зэм нэмыцэхэр. Зэхэуэр къоувыIэ. ВАСКОВ (и Iэ сэмэгур еубыд). Iэблэ лыпцIэм къытехуащ… УIэгъэ зытелъ IэкIэ куэдрэ узэуэфын... Ари хъарзынэщ си Iэбэлагъым къызэрытемыхуар... (И Iэблэр епхэ, автоматыр, кIэрахъуэр, сэр иджыри зэ зэпеплъыхьыж. И жыпым лагъымыр кърехри, йоплъ). А сэ къысщыщIар – лагъым къызэрагъауэр згъэкIуэдащ. Хъуакъым ар, мэзылIым къищтамэ арат!.. ЛIЫЖЬЫМ. Арати, сэ, нэмыцэхэм щыIэуи ямыщIэ, шэдымкIэ сыжащ. Сыжэт сызыщымысхьыжу. Си гур къызжьэдэлъэтыным хуэдэт. Сытми псыпцIэ дызыблэкIам сынэсыжащ. Уэздыгъэр пилоткэм топсэ. ВАСКОВ. КъызэрыщIэкIымкIэ, нэсакъым Бричкинэр… Щымщ. ВАСКОВ зыкъомрэ йоплъ пилоткэм. Бричкинэ Лизэ и уэрэд цIыкIур къоIу. (Тутыныр пигъанэри, хэгупсысыхьащ.) КъызэрыщIэкIымкIэ, иджыри дыгъуасэ сыкъыщыхагъэщIат сэ мы зауэм, ЛIЫЖЬЫМ. Бийм и процент плIанэр зэтезукIарэ пэт. ВАСКОВ. СыхагъэщIащ нэмыцэхэр зэрызытезмыIыгъэфам щхьэкIэ. ЛIЫЖЬЫМ. Си гупым и ныкъуэр зэрыхэкIуэдам папщIэ. ВАСКОВ. Си Iэщэр зэрызузэдыну псори зэрысIэщIэухам, кIэрахъуэ фIэкIа сымыIыгъыу сыкъызэрынам папщIэ. ЛIЫЖЬЫМ. Ауэ си гупым я деж згъэзэжын хуейт. ВАСКОВ. Пщащэ нэхъ губзыгъитIыр къысхуэнат... (къотэдж, тутын ныкъуэфыр лъапэкIэ хеупIащIэри, автоматыр пщIыхэлъу кIыфIым хохьэ). ВАСКОВ лъэгуажьэмыщхьэу тIысащ псы ефэну. ОСЯНИНЭ (щэхуу). Федот Евграфыч… КОМЕЛЬКОВЭ (мэкIий). Федот Евграфыч!.. Ныбжьэгъу старшина! ВАСКОВ къэтэджыжащ. КОМЕЛЬКОВЭМРЭ ОСЯНИНЭМРЭ къыхуожэ. Хъуржынхэр, Iэщэхэр яIыгъыу. Зрадзауэ ба хуащI. ВАСКОВ. Хъунщ, хъунщ, пщащэхэ! (ТIури зыIэщIиубыдащ). Ех, си хъыджэбз цIыкIухэ! Зыгуэр тIэкIу федзэкъа, нэ лъэныкъуэкIэ нэхъ мыхъуми, фыжея? ОСЯНИНЭ. Ди жеини къэмыкIуа, ныбжьэгъу старшина… ВАСКОВ. Хэт и старшина, си шыпхъу цIыкIухэ? Иджы сывидэлъху хуэдэщ. ДяпэкIэ ФедоткIэ фыкъызэджэ е ФедякIэ, ди анэр къызэрызэджэу щытар апхуэдэущ… (И хъуржыныщхьэр етIатэри.) Хъуржыныр зэрывмыгъэкIуэдам папщIэ, фыхъыджэбзыфIщ! Си махоркэр илъщ мыбы… КОМЕЛЬКОВЭ (щэхуу). Галкэ-щэ? ВАСКОВ (щыму хъуржыным илъ щIакхъуэ фIыцIэ Iыхьэр, кхъуэлыр, фляжкэр кърихащ. Кумбыгъищым кърикIащ, щIакхъуэр зыпитхъри, кхъуэл тIэкIу къыпигъэжащ. Кумбыгъэхэр хъыджэбзхэм яIэщIигъэувэри). ЛIыхъужьу хэкIуэдащ ди ныбжьэгъухэр - Четвертак – зэхэуэм, Бричкинэ Лизэ шэд псыпцIэм щIилъэфащ. Соня абы хэтыжмэ, щыр тфIэкIуэдащ. Аращ. Ауэ, дауэ мыхъуми, гуэлитI зэхуакум ди бийр дыдоIыгъэ. Зы жэщ-махуэ хъуауэ. Иджыри зы жэщ-махуэ зытIыгъыжыну ди къалэнщ. ДэIэпыкъуэгъуи диIэнукъым, нэмыцэхэри гъунэгъу къохъу. Аращи, ди шыпхъу цIыкIухэм я фэеплъу... зэхэуэри къоблагъэ. Иужьрейуэ щытынкIэ зыхуэIуа щыIэкъым... Псалъэмакъыншэу ефащ. Апхуэдэуи зы псалъэ хэмыту иужьрей зэхэуэм зыхуагъэхьэзыр: къахуэнэжа шэхэр зыхуагуэшыж, Iэщэхэр зэщIаузэд. ВАСКОВ (къыпогуфIыкI). Лагъымыр къызэрагъауэр згъэкIуэдащ, мэзым къыщызжыхьурэ, абы къыхэкIыу, къаруушхуи диIэкъым, фыщымыгугъ!.. КОМЕЛЬКОВЭ (пыгуфIыкIыурэ). Ягъэ кIынкъым… Федот, дапэлъэщынщ. ВАСКОВ. СыткIэ дазэрыпэлъэщынур автоматитIрэ зы кIэрахъуэкIэ? Жыжьэ дынихьэсынукъым. ПщIыкIэ къауэмэ, дыхаутэнущ. Ауэ ди мэзым дыкъызэрыригъэлынур ди фIэщ хъун хуейщ. Мэзымрэ псымрэ. Ритэ, уэ, жыжьаплъэу автоматкIэ умыуэ. Псым адэкIэ щытмэ, хъунущ уеуэ, ауэ къыдэбгъэрыкIуэу щIадзэмэ, къыпхуэсэбэпыжынущи хъумэ. КъыбгурыIуа? ОСЯНИНЭ. КъызгурыIуащ, Федот… ВАСКОВ (пыгуфIыкIащ). Федяр нэхъ тыншкъэ. ЦIэ бэлыхьу щымытми, цIэщ. Нэмыцэхэм къэуэн щIадзащ. Мыдрейхэми автоматыр трагъэлъалъэ. ЛIЫЖЬЫМ. Зыт сэ сызыщыгъуазэр: ВАСКОВ (мэкIий). ФыкъимыкIуэт!!! ЛIЫЖЬЫМ. А гуэл Iуфэм щыщ зы Iыхьэ яIэрыдгъэхьэн хуейтэкъым нэмыцэхэм. Сыт хуэдэу мыхьэлъэми, сыт хуэдизу мыгугъуми - тхъумэнущ. ТIыгъын хуейт ар - армыхъуамэ, дызыIэщIалъхьэнут. А дакъикъэм Урысей псор си щIыбагъ къыдэту къысщыхъурт, сэ, Васков Федот Евграфыч, си закъуэ хуэдэт къэрал псом гугъапIэу иIэжыр. НэгъуэщI зыри тетыжтэкъым сэркIэ дунейм, сэ, ди бийр, Урысейр. Арат. Ауэ тхьэкIумэ ещанэ гуэркIэ хъыджэбзхэм я псалъэмакъыр зыхэсхырт: къауэрэ иджыри? Къауэмэ, псэууэ аращ! ВАСКОВ (мэкIий). Псэухэщ! ЛIЫЖЬЫМ. Я фронтыр яIыгъыжщ, я Урысейр! ЯIыгъщ! ВАСКОВ (мэкIий). ЯIыгъщ!.. Ди Хэкум папщIэ!! Лагъымыр къоуэ. Щым мэхъу. Зэхэуэр къоувыIэ. ВАСКОВ автоматыр ирехьэхри, зыщIодэIукI. КОМЕЛЬКОВЭР къолъадэ. ВАСКОВ. Зегъэзых! КОМЕЛЬКОВЭ. ПсынщIэу!.. Ритэ!.. ВАСКОВ щIопхъуэ, КОМЕЛЬКОВЭР абы иужьым итщ. ОСЯНИНЭ щысщ, уэздыгъейм зыкIэригъэщIауэ, гуфIэну хэтщ. ВАСКОВ. СыткIэ? ОСЯНИНЭ (щэхуу). Лагъым… ВАСКОВ. Хъыдан! Уи щIагъщIэлъым щыщ гуэр къызэт! КОМЕЛЬКОВЭ пIащIэу хъуржыным йоIэбэри, зыгуэр кърех. Данэ сыхуейкъым! Чэтэным къыхэщIыкIауэ!.. КОМЕЛЬКОВЭ. СиIэкъым… ВАСКОВ. А, гъуэгу махуэрэ!.. (Езым и хъуржыныр кърелъэфажьэ, джанэрэ бинтрэ кърех) ОСЯНИНЭ. Нэмыцэхэр… даIэ нэмыцэхэр?.. КОМЕЛЬКОВЭ зы меданкIэ Ритэ и нэхэм щIэплъэщ, автоматыр къищтэри, псы IуфэмкIэ щIэпхъуащ къызэмыплъэкIыу. ВАСКОВ (бинткIэ епхэ). Iуэхукъым, Ритэ, Iуэхукъым… ЩхьэщыцIэфтащ... КIыжынущ… ОСЯНИНЭ. КIуэ... модэ кIуэ… Женькэ жащ… КОМЕЛЬКОВЭ зэхэуэм хэтщ. ЛIЫЖЬЫМ. Женькэ зэи зыми щышынакъым. Шым шэсыфырт, тирым кIуэрт, и адэм и гъусэу кхъуэпIащэ мэзым къыщаукIырт, адэм и мотоциклым тесу дзэ къалэ цIыкIум къыщижыхьырт. Иджыри Осянинэ уIэгъэ хъуауэ здэщылъ щIыпIэм деж нэмыцэхэр Iуишыну иужь щихьам, зы дакъикъи шэч къытрихьакъым псори тэмэму зэрызэфIэкIынум. Уеблэмэ, япэ фочышэр и джабэм къыщытехуам игъэщIэгъуат. Ар сыту гущIэгъуншэт илъэс пщыкIубгъу фIэкIа умыпсэуауэ улIэну. Полковник Лужин къохьэри, ар зауэ губгъуэм ирехыж. ОСЯНИНЭ и закъуэщ. ЛIЫЖЬЫМ. Ритэ ищIэрт и уIэгъэр зэрымыхъужынур, кIыхьу, гугъу иригъэхьу зэрилIыкIынур. Ар зэи зыщысхьыжакъым, и гъащIэми, и щIалэгъуэми щысхьакъым, а псом нэхърэ нэхъыщхьэт ар сытым дежи зэгупсысыр: и къуэр зеиншэу къэнэнут, и анэ сымаджэм и куэщIым илъу... ВАСКОВ къохьэ, уIэгъэ зытелъ и Iэм телъэщIыхьурэ, Ритэ щэхуу бгъэдотIысхьэ. ОСЯНИНЭ. Женя хэкIуэда? ВАСКОВ (зыкъомрэ щыму щыса нэужь, и щхьэр ищIащ). Ди хъуржынхэр щылъыжкъым… Хъуржыни, Iэщи тIыгъыжкъым. Е езыхэм къыздащтащ, е зыщIыпIэ деж щагъэпщкIуащ. ОСЯНИНЭ. Женя зынщIэу... и псэр хэкIа? ВАСКОВ. ЗанщIэу… IукIыжахэщ. Дыкъызэрагъэуэн къахьынурагъэнщ… (Зэрынэщхъейр къиубыдащ. КъыхэкIиикIащ) КъыттекIуакъым дэ ахэр, къыбгурыIуа? Сэ иджыри сыпсэущ! Сэ саукIыфын хуейщ иджыри!.. (И дзэр зэтрикъузауэ уIэгъэ зытелъ и Iэм толъэщIыхь…) ОСЯНИНЭ. Узрэ? ВАСКОВ. Мыбдежщ узыр!.. (И бгъэм тоIэбэ.) КъресыкI мыбдеж, Ритэ. Ауэ кърисыкIрэ!.. Тхури фыкъысфIаукIащ, сытым щхьэкIэ? ФашистипщI щхьэкIи? ОСЯНИНЭ. Аракъым ар зэрыщытыр… Зауэ йокIуэкI… Аращ псори къызыхэкIар. ВАСКОВ. Иджыпсту зауэ йокIуэкI, ар гурыIуэгъуэщ. Ар иухмэ-щэ? ГурыIуэгъуэ хъуну пIэрэ фэ фыщIыхэкIуэдам и щхьэусыгъуэр? Сыт нэмыцэхэр къыщIэзмыгъэкIуэтар, сыт апхуэдэ унафэ щIэсщIар? Фэ, цIыхухъухэм, ди анэхэр щхьэ къевмыгъэларэ биишэм жаIэрэ къызэупщIмэ, сыт сэ яжесIэнур? Сыт ахэр щIыхэкIуэдар фэ фыщIэпсэур? Кировскэ гъуэгумрэ Беломор кIэнауэмрэ фхъумауэ ара? Ар зыхъумэн щыIэтэкъэ, хъыджэбз цIыкIуитхурэ зы кIэрахъуэжь зыIыгъ старшинарэ ямыгъэкIуамэ? ОСЯНИНЭ. Къэгъанэ... А кIэнауэм дежкъым Хэкум щыщIидзэр. Жыжьэуи-гъунэгъуи абдежкъым. Дэ тхъумар Хэкуращ. ЯпэщIыкIэ Хэкур, итIанэ кIэнауэр. ВАСКОВ. Пэжщ… (Ину бауэри, щым хъуащ.) Уэ тIэкIу щылъ, сэ Iэгъуэблагъэр къызыхэсплъыхьынщ. Армыхъумэ, къыттеуэнщи, ди ажалыр икIэщIыпIэкIэ къагъэсынщ. (И кIэрахъуэр кърихри, егугъупэу зэпилъэщIыхьащ) Къащтэ мыр. ШитI къудей илъыжуращ, ауэ итIани мыр пIыгъмэ, нэхъ шынагъуэншэщ. ОСЯНИНЭ. Зэ умыпIащIэ!.. (ЛIым блэплъыкIыурэ, жыг къудамэхэм щIахъумэ уафэмкIэ доплъей). ПщIэжрэ, модэ дыщетIысэха щIыпIэм иджыри дыкъыдэмыкIауэ, нэмыцэхэр къыщыслъэгъуам? Абы щыгъуэм си анэм деж сыжэу арат. Илъэсищ хъу си къуэр щыIэщ абы деж. Аликщ и цIэр, Альберт. Си анэр сымаджэ хьэлъэщ, куэдрэ псэунукъым, си адэри хъыбарыншэу кIуэдащ. ВАСКОВ. Умыгузавэ, Ритэ, псори къызгурыIуащ. ОСЯНИНЭ. Тхьэм уигъэпсэу. (ГуфIащ.) Си иужьрей лъэIур схуэбгъэзэщIэн? ВАСКОВ. Хьэуэ. ОСЯНИНЭ. Мыхьэнэ иIэкъым, армырами сылIэнущ. Гугъу сехьынуращ нэхъ лейуэ. ВАСКОВ. Сэ иджыпсту тIэкIу зысплъыхьынщи, къэзгъэзэжынщ. Ныжэбэ дыдейхэм я деж дынэсыжыфынущ. ОСЯНИНЭ Зы ба къысхуэщI. ВАСКОВ зригъэзыхри, и натIэм ба хуищIащ. (Ерагъыу зэхэпх къудейуэ и нэр зэтепIауэ.) Банэм хуэди уи жьакIэр… КIуэ. Къудамэ тIэкIукIэ сыщIэхъуми, кIуэ. ВАСКОВ IуокI. Жыжьэу зы фоч уэ макъ къоIу. Егъэзэжри, щIопхъуэ. Осянинэм и щхьэщыгум деж зрегъэзых. ВАСКОВ. И нэ зэрыхъэм зы уIэгъэ… (Зыкъомрэ щхьэщытащ.) И кIэрахъуэр къещтэж. Лейтенант Осянинрэ Аликрэ къохьэри, Ритэ и хьэдэр къащтэж. ЛIЫЖЬЫМ. Ритэ здэщылъам деж IузгъэкIуэтри, абдеж мащэ къыщыстIу сыхуежьащ. Мыбдежым щIыр щыщабэт. БжэгъукIэ згъэщабэрти, IэгукIэ къистхъурт, жыг лъахъыцхэр сэкIэ пызупщIурэ. ПсынщIэу къистхъури, нэхъ псынщIэжу тестхъуэжащ. Зызмыгъэпсэхуу адэкIэ Женя здэщылъым деж сыкIуащ, си Iэ уIэгъэр апхуэдизкIэ Iейуэ къызэузырти, Женя зыхуей хуэзэу щIэслъхьэжыфакъым. Ар си гум хьэлъэу къинат, сытым дежи сигу къеуэу, ауэ схузэфIэкIакъым... ВАСКОВ. Къысхуэгъэгъу, Женечкэ, къысхуэгъэгъу… Нэхум хэту ВАСКОВ хъурейуэ къекIухь, иужьрей дыдэ шэр зэрылъ кIэрахъуэр иIыгъыу. ИIэ, фыкъыкъуэкI, иджыри зым и псэр згъэныну сыхьэзырщ. Къару сиIэжкъым... Узщ зыхэсщIэр, си Iэпкълъэпкъ псом игуэша уз... (Щэхуу). Иджыпсту зауэщи, гурыIуэгъуэщ! Зауэр иухмэ-щэ? ГурыIуэгъуэ хъуну пIэрэ фыщIыхэкIуэдар?.. Ар йокIукI-къокIукI. И пащхьэм пщащитхури, зыр зым кIэлъыкIуэу, къохутэ. БРИЧКИНЭ. Сэ зэи зыми ба хуэсщIатэкъым. Зэи зыми. Дыхьэшхэнщ, пэжкъэ? ГУРВИЧ. Абы и нэр щIагъуэтэкъым, итIани езыр хуейуэ Iухьащ фронтым. ЕтIуанэ махуэм, дауэ къыфщыхъурэ? Иджы сытым дежи аращ сызэгупсысыр: къехьэлъэкI мыгъуэ хъунщ... ЧЕТВЕРТАК. СиIакъэ сэ анэ, ей? СиIакъэ? Хъунщ, медицинэм и лэжьакIуэтэкъым, сывгъэдащ. Ауэ сиIакъэ анэ? КОМЕЛЬКОВЭ. Хъуакъым си адэм сызэраукIыр зэримылъэгъуар! Умыгузавэ, папэ, сэ тыншу сылIащ! Генералым срипхъутэкъэ сэ! ОСЯНИНЭ. Сыт хуэдэлI къыпхэкIынур, илъэс щэщI дэкIмэ, Алик? Уигу сыкъэкIыжыну пIэрэ? Хъыджэбзхэр кIуэдыжащ. ВАСКОВ хъурейуэ къекIухь, зэкIэ Легонт и къулъшырыф цIыкIур къэлъагъуэкъым. Къэрэгъулыр щытщ. Васков хуэм дыдэу абы и щIыбагъымкIэ къекIуэкIщ, сэр кърихри, и къару къызэрихькIэ, и щIыбым хихуащ. Нэмыцэ сэлэтыр, щэIуурэ мэджалэ. ВАСКОВ и кIэрахъуэмрэ лагъымымрэ кърепхъуэтри, къулъшырыф цIыкIум и бжэр лъакъуэкIэ Iуеуд. ВАСКОВ. Хенде хох!.. (И кIэрахъуэм къинэжа шэ закъуэр егъауэ, лагъымыр игъэдалъэурэ мэкIий) Фыгъуэлъ!.. Фыгъуэлъ!.. Фыгъуэлъ!.. ЛIЫЖЬЫМ. Хьэуэ, кIий макъыракъым икIи лагъымыракъым зыщышынар... Абыхэм ягугъакъым сэ си закъуэу, апхуэдиз гъуэгуанэр зэпичыу, зы зауэлI закъуэ яхэлъэдэну ауи ягу къэкIакъым абыхэм... Я фашист акъылым къиубыдыртэкъым абы апхуэдэ, арат къызэдаIуэу я нэкIур егъэзыхауэ щIым зыщIрадзыхар... ВАСКОВ. ЛIо, фигу зэгъа?! Фигу зэгъа?.. Хъыджэбз цIыкIуитху хъууэ арат, хъыджэбзитху, тху къудей!.. ЗыщIыпIи фынэмысауэ мыбдеж фыщылIэжынущ фэ. Зырызыххэурэ сэ фызукIынущ, нэхъыщхьэхэм фаIэщIэмыкIуадэмэ! ИтIанэ хуейми си хьэкумыр иращIэ. ИращIэ! Сыту Iейуэ узрэ си Iэр!.. Сыкъэмымэхамэ арат... (ИукIа къэрэгъулым и автоматыр къещтэри) Фынежьэт! Фынежьэт… ИIэт! Нэмыцэхэм зыкъаIэтыжри, ежьащ. ВАСКОВЫМ автоматыр иIыгъыу иужь итщ. ЛIЫЖЬЫМ. А иужьрей гъуэгур къысхуэщIэжыркъым... Си пэ ит нэмыцэ сэлэтхэр зеукIуриет, псори сфIызэхэзэрыхьырт, къасщIэурэ си нэхэр щыункIыфIыкIырт... Аращ сщIэжыххэри, а сэлэтиплIым я щIыбращ, а дакъикъэм зыт сызэгупсысыр: сыкъэмымэх щIыкIэ фашистхэр зэтезукIэнырт, узыр къызэIэрт, си акъылыр утхъуэрт... ИтIани зысIыгъащ, дыдейхэр къэджэху, къэсат Урысхэр... КIыфI мэхъу. Бзий нэхум хэту лIыхъужьихыр, зыр адрейм кIэлъыкIуэу, блокI. Дигу къызэринэжам хуэдэу къохьэ ди пащхьэ: псэууэ, я щIалэгъуэу, гукъыдэж я куэду. Iупхъуэ. КIэух.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "vasilyev.txt" }
ЗэзыдзэкIар Бабыгу Эргунщ НЫП Ей, мы зауэ утыкум И лъыр си Iэгум изрэ И щхьэр си пкъы щIагъым щIэлъу, И куэр си гущIыIум илъу Псэ итауэ жей цIыху, си къуэш… Уи цIэ зэрызмыщIэм хуэду Уи гуэныхьри сщIэркъым. ТIури зы дзэм дыщыщкIи хъунущ Биидзэм уащыщыуи къэхъунущ. Хэт ищIэрэ, сыкъэпцIыхункIи мэхъу. Сэращ ар; Истамбыл уэрэдыжьхэр къыщыришу КхъухьлъатэкIэ Гамбург къыщыраудыхар. Магино дэж уIэгъэ щыхъу Атина дэж мэжэлIалIэм ихьар, Е сингапур гъэру бийм IэщIыхьар. Сэращ ар ... Си насыпыр сэракъым зытхар Ара пэтми сощIэ ар тхуэзытхахэм хуэдиз Марожнэм IэфIу щIэлъыр Музикэм гукъыдэжу хэлъыр. ЦIэрыIуэ ухъуным къарууэ бгъэдэлъыр. Уэри фIыгъуэ гуэрхэм ущыгъуазэщ, сощIэ Шей пщтыр - хьэлыгъуанэ Уи пкъыр къэзыгъэхуабэ цакуэ Iувым нэмыщIи... Шхын IэфI, бжэндэхъу гъэжьа. Виски нэхъыфIым щыщу зы бжьэ, Е укъикъутэу фащэ дахэ. Илъэс тIощI епхьэкIа лэжьыгъэм Зы шэ хуэдизщ уасэу иIэр. ГъащIэм, Хъарков идэж щыщIеддзэнурат ди натIэ итхари Ари зэфIомыгъэщI... Дэ зы нып къэтхьащи мыбы нэс АдэкIи нэгъуэщIхэм нырахьэс. мы дунеижьым икIэм икIэжым МелардитIщ дызэрыхъур Дауэ мыхъуми псори дызэроцIыхур…
{ "source": "adygabza.ru", "id": "veliorhan.txt" }
Вертинский Александр «Сэрэсатэ пшыналъэр» Спэмыжыжьэу, щхьэхуэу щыт Iэнэ цIыкIум иджы мыщIалIэж бзылъхугъэ лъагъугъуафIэ щыст, зэрешар плъагъуу и Iэхэр и лъэгуажьитIым телъу. Гугъэншагъэ гуэр хэлът абы и щысыкIэм. ЩтэIэщтаблэу щIыхьэпIэмкIэ плъэурэ, бжэр кIыргъыху къыхэщтыкIырт цIыхубзыр. - Еплъ - Владеско! – зэуэ жиIащ Петя, ди щымыгъэр къызэпиуду. СыкъызэплъэкIащ. ШхапIэм зэщIэлыдэу румын гъумытIэ къыщIыхьэрт, и гъэмахуэ кIэстумыщхъуэм и щIыIунэм къармэфибл игъэсарэ, и IэпхъуамбэжьакIэ ижьым куэзырджэгухэм ярылъ хабзэ налкъутналмэс гъуэжьышхуэр къицIуукIыу. Уи гур къригъакIуэу щIыкIафIэу, абы цIыхубэм зыхуигъэщхъырт, и нэхэр щIригъэлъэфэху дыщэ зытебза и цыджаныдзэхэр къыIуигъэпсу. АпщIондэху фIыуэ къежьа и ныбэм шыкIэпшыналъэр кIэрикъузэурэ, утыкум ихьэныфэу кIуэцIрыкIырт. - Хэт Владеско жыхуэпIэр? – сыщIэупщIащ сэ. – Венэ шыкIэпшынэ щеуэу щытари? - НтIэ. КъэсцIыхужащ. Ресторанхэм щыцIэрыIуэ цIыхуитхум, цыджан макъамэ гъэзэщIэкIэм ипщхэм язт ар. Гъы фIэкIа умыщIэну, щабэу тхьэусыхэ абы и шыкIэпшынэм и макъ Iувым уитхьэкъупэрт. Бжьамиймрэ «Бабилон гъыбзэмрэ» зэдежьу фIэкIа пщIэнтэкъым. Оркестрым марш къыхидзащ. Владеско абы хуиIуэхуIатэкъым. Макъамэр езышажьэр езырати, ар оркестр гупэм къитт, къызыфIэщIыжарэ зримыпэсIауэ, апщIондэху, дзыхь хуимыщIу зыпиплъыхь нэхъей, зызыфIишурэ и шыкIэпшынэр IэкIэ игъэкIэрахъуэу. Апхуэдэу зикъутэурэ зриIуэнтIыхьынкIэ ирикъуа нэужь, сытми, зримыусыгъуэджэу, бзэкъур шыкIэпшынэ Iэпэм трилъхьащ. Гъыбзэм и макъ IэфI дезыхьэжьам бэлыхь телъыр хуэмышэчыжу щэIу къыпфIэщIынт. КIыфIу, пщтыру, нэщхъеягъэ къыщхьэприкIыкIыр я псэм хуэмыхьыжым хуэдэу, гуащIэу къэIу макъхэм гур яIэщIэкIырт. ШыкIэпшынэ лъабжьэм, лъым ещхьу Iуву, щытынкIэ ирикъуа пасэрей шагъыр плъыжьдэп къыщIикIыкIым хуэдэт. Зэм уэрэд къыхидзэрт шыкIэпшынэм, зэм уIэгъэшхуэ зытелъ псэущхьэм ещхьу гызырт, зэм макъ хэIэтыкIакIэ тхьэджэрт, макъ къришыр и лъагапIэм щынэсым деж и псэр гущIыхьэу иту… Гъэру яубыда пщылI гуэрым, лъэхъуэщым здисым, гукъэкIыжхэм зыхигъэлIыхьурэ и хэку тхьэмыщкIэм гур хэзыгъэщI уэрэд хуиусу къыщыпфIэщIи щыIэт. - Телъыджэщ! – къызжьэдэхуащ сэ. - Хьм… пэжщ! ЕуэкIэ абы ещIэм! – хэгупсысыхьу жиIащ Петя. – А гъыбзэхэр тыркухэм зэраубыдрэ къахуинащ абыхэм. Лъэпкъым и щэIу дыдэщ. Владеско нэжэгужэу, къызэщIэрыуауэ ирагъэблагъэрт. Адэ-модэкIэ цIыхубэм нэхъ ягу ирихь макъамэхэм я цIэр щызэхэпхырт, ирагъэгъэзэщIэну лъаIуэу. Официантым абы зыгуэрым тыгъэу къыхуригъэхьа шампанскэр Iэпс дыжьыныфэм иту блихащ. - Ауэ цIыхугъэ и лъэныкъуэкIэ хьэбыршыбыр дыдэщ ар! – зэуэ жиIащ Петя. - И гугъу къысхуэщIыт! – селъэIуащ сэ. Петя хуэмеищэурэ псэлъэн щIидзащ. - Мо дэкIуеипIэм пэгъунэгъуу щыс цIыхубзыр плъагъурэ? – щIэупщIащ ар, гу зылъыста бзылъхугъэ лъагъугъуафIэмкIэ игъэлъагъуэурэ. – Ар абы и щхьэгъусэщ. - Сыт жыпIэр? - Зэгуэр актрисэ цIэрыIуэу щытащ ар… Тоскэ Сильвие! Зыхэпхакъэ а цIэр? Дуней псом щылыд вагъуэшхуэт ар! Сытым хуэдэ вагъуэт! Уафэм зэрынэмысыным хуэдэт апхуэдэ бзылъхугъэ абы къыIэрыхьэныр. - Иджы-щэ? - Иджы кином къыхэкIыжыпащ! И лIым хыфIригъэдзауэ аращ, зэрыгурыIуэгъуэщи. ИрефыгъулIэ... - АдэкIэ-щэ? - АдэкIи? Еубэрэжь! Псори зэхэту! И напэм йоуэ! Чэфмэ, е къытехьамэ. - Къыщхьэщыжын къыкъуэкIыркъэ? - Хьэуэ! Хэт зэлIзэфызым я Iуэху хэIэбэну хуейр? - Ара жыхуэпIэр? Уэ узэрегуакIуэщ, ауэ сэ сыщыту апхуэдэ гуэр ищIэмэ, сIэщIэкIуэдэнущ. - Мыхьэнэ закъуи иIэнукъым! И лIыр фIыуэ елъагъу абы! ФIыуэ елъагъу, къыбгурыIуэрэ? Абы и хьэтыркIэщ и IэкIэ и гъащIэр щIызэхикъутэжар. И IэщIагъэми, и цIэми, щхьэгъусэ бейми, пщIэми щIызыхигъэкIыжар… Мы плъагъум а цIыхубзым и налкъутналмэсхэри, и мылъкури, щIыхьри, гупсэхугъэри зыIэщIилъхьащ. Иджы, мис, дунейм ефапIэу тетым кIэлъыущу дэтщ. Абы поплъэри жэщкIэ щысщ! Сэ хъыбарыр си гум щIыхьауэ щыму сыщыст. Хуэмурэ хьэщIэщыр Iэуэлъауэншэ хъуащ. Владеско нэхъыфI дыдэу слъагъу макъамэхэм яз игъэзащIэрт – «Сэрэсате пшыналъэр». Мэгъу къару гуэр хэлъ фIэкIа пщIэнтэкъым абы. Иныкъуэхэм деж и Iэпэ лъабжьэм къыщIэIукI макъамэр цIыхубзэкIэ псалъэм хуэдэт, шыкIэпшынэу умыщIэну…. Псэ зыIут макъ, тхьэджэурэ, къедаIуэхэм я гум зыщиубгъуу… Мазэгъуэ лъагъуэ щIыхум утетым ещхьу, абы и макъамэм дуней мыцIыху гуэрым уздишэрт, пхуэмыIуэтэну лъагэ, зыхэщIэгъуэ телъыджэхэм я дунейм, жейм ухэту нэпс щIэбгъэкIхэм ещхьу, нэхурэ къабзэу. Си нэр къысхутехыжыртэкъым Владеско. ЗэпIэзэрыту, пшынэ Iэпэ шэщIам ещхьу, и пкъыр зэщIэкъуауэ игъэзащIэрт абы макъамэр, щIылъэм тетыжу умыщIэну. И натIэм пщIэнтIэпсыр къытрикIутат. И нэгу зэхэлъым губжьри, нэщхъеягъэри, узри, щабагъри зым адрейр иужь иту щызэридзэкIырт. КъэгъэщIыныгъэм и мафIэм илыпщI нэгур гухэхъуэт, дахащэт. Иухащ. Iэгуауэр борэну къытракIутэ. ШыкIэпшынэр ирихьэхауэ, лъы къызытелъэда и нитIым, нэф хъуам ещхьу, зыри ямылъагъужу, Владеско утыкум йокIыж, щхьэщи имыщIыжу. Хуэмей-хуэмейуэрэ щIылъэм къытехьэжырт ар, къыфIэмыIуэхуIауэ. Сэ сыкъызэплъэкIащ. Сильвие зэфIэту къежьэрт. Бзу щтам ещхь абы и нэхэм шыкIэпшынэм здигъэIэпхъуа дунейм и нэщыпхъуэр иджыри ятелът. Мэзым хэт гуэлым жэщу хэукIурия хьэ телъыджэм ещхьу, мазэгъуэ нэхур зытридзэ цIыхубзым и нэхэм дыжьыныфэ псыхьэлъыгъуэу нэпсхэр къыщIэжырт. Владеско и Iэнэм екIуэлIэжащ. Зыри имылъагъуу икIи зыхимыхыу, бзылъхугъэм и Iэхэр къыхуишиящ. ПщIэ къыхуэзыщI гуэрым абы къыхуригъэхьа гуащэнапщIэ IэплIэ Iэнэм телъти, лIым ар лъэгум иридзыхри шэнтиуэм ищэтащ. Данэ бэлътокушхуэкIэ Сильвие абы и натIэм къытрикIута пщIэнтIэпсхэр хуилъэщIырт. Хуэмурэ ар зэрыт хабзэ фэм ихьэжащ... - Арам, - зиплъыхьурэ щIэгуфIыкIащ Петя. - «Ауэ «Сэрэсатэ пшыналъэр» къыхидзэху», - си гум сатырхэр щIэпхъуауэ щызэпыувэрт. Апхуэдэу дунейм къытехьащ а уэрэдыр. Илъэсищ докI. АпщIондэху къэрал Iэджэ къызэхызокIухь. Александрием, Бейрут, Палестинэм уэрэд щыжысIащ. Африкэми сыщыIащ, кинофильм зытрезгъэхыу. А илъэсым Германием щыщIэздзат си концерт зэхэзекIуэхэр. Япэрейр щекIуэкIыр Берлинт. «Блютнер-хьэщIэщ» зыфIаща пэш дахэшхуэр пхъэкIэ къищIыкIат, макъамэр, фэнд пшынэм къиIукIым ещхьу, гуакIуэрэ гъэщIэгъуэну щыIуу. Си программэм уэрэдыщIэ куэд хэтт. «Сэрэсате пшыналъэ» зыфIэсща, Черновицы щызэхэслъхьа уэрэдыр абыхэм язт. Ар ягу ирихьт. ЯцIыхурт. Йоуэри, концерт щыстыну махуэм хьэщIэщым Барац Петя сыщыхуозэ. Ар Дрезден кIуэ пэтрэ Берлин къыдыхьауэ арат. Уэршэрын щIэддзащ. - Эден-хьэщIэщым зыкъыщызыгъэлъагъуэр хэтми пщIэрэ? – зэрымыщIэкIэ зыгуэр къищIэжа хуэдэ къызоупщI ар. - Хэт? - Владеско! ПщIэжрэ, мис а…? Дыгъуасэ седэIуати, къысфIэмыIуэху хуэдэурэ езым теухуауэ уэрэд зэрызыхэплъхьар жесIащ. - ЖепIэн хуеякъым! – къыпызупщIащ сэ. – Уэрэд къилэжьыркъым абы! - Егъэлеяуэ къыфIэIуэхуащ, - пищэрт Петя, жысIар зэхимыха хуэдэ, - нобэ Iэмал имыIэу уи концертым къэкIуэну жиIащ. Блютнер-хьэщIэщым цIыхур щIэзт. А пщыхьэщхьэм сэри сыкъызэрыкIат. Концертым щIидзэн ипэ Iупхъуэм иIэ гъуанэ цIыкIумкIэ сиплъащ. Владеско япэ сатырым щыст. КъызэрыгуэкI бостей екIу щыгъыу абы Тоскэ Сильвие къыбгъэдэст. И нэкIу пшэрыр дыгъэм пэлыд гъуаплъэ тас тхъунщIам ещхьу цIуууэ, Владеско цIыхухэм захуигъэщхъырт. «И уэрэдым» едэIуэну къэкIуауэ арат. - УмыпIащIэ уэ мыдэ, - бзаджэрэ нэжэгужэу жысIэрт сэри сигукIэ. – Сэ уэ укъэзгъэуджынмэ! Куэдрэ къыспэплъэн хуей хъуащ. «Сэрэсате пшыналъэр» программэм иужь дыдэут зэритыр. Владеско и тхьэкIумэр тегъэхуауэ, тIэкIуи къэуIэбжьауэ къызэдаIуэрт. Ресторанхэм щылажьэ адрей артистхэм ещхьу, мо здыхущIэмыхьэм, абы езым и концертхэм фIэкIа нэгъуэщIхэм едэIуэну къыхуихуэ къыщIэкIынтэкъым. И теплъэмкIи, и Iэгуауэ гуащIэхэмкIи абы си зэфIэкIым пщIэ къызэрыхуищIыр сигъэлъагъуну хэтт. Сэ гу лъызмытафэ зытезгъауэрт. СыхуэгуфIэу е щхьэ хуэсщIыу ауи си нэ щIэзгъэплъакъым. Концертыр иухыху эстрадэм и кум ситащ, ауэ иужьрей уэрэдым сынэсу и цIэр къисIуа нэужь, нэрылъагъуу япэ сатырым абы щиубыд тIысыпIэм хуэзанщIэу сыуващ. Къыздежьум и макъамэр ирешажьэ, сэри къыхызодзэ: Скрипкэ йоуэ уилI хуэдэр, ар щIыбышэщ, щхьэц тхъуащ, И гъейрэтым щыIэлщ, уеубэрэжь, къыпхуэIэфIкъым, ИтIани, «Сэрэсате пшыналъэр» къыхидзэху, Уи гум бзуууэ зеIэт, уэрэд къыщришу уафэм. Уэрэдыр зэрыжысIэм хуэдэурэ, Владескорэ Сильвиерэ я нэхэм чэзу-чэзууэрэ сыщIэплъэрт. ЛIым и псэр хьэршым кIуэжат. И нитIыр къыщыпкIыным хуэдэт. Шэнтым зрикъузэурэ, и пкъыр зэрыпщхьэжыным нэсат. Удигуащ, уипIытIащ, уихъунщIащ, узырижкъым. Псалъэхэр уэрт, и напэр кърахулэкIым хуэдэу. Абыхэм яIэщIэкIыну хэту, езым и нэгур программэ къуагъым къуигъапщкIуэрт, ауэ ахэр ятехуэрт – гущIэгъуншэрэ уаIэщIэмыкIыфу, езым хухэхыпауэ, си губжьым, си хьэлымрэ къызэрыспсэлъ щIыкIэмрэ нэхъ гуащIэж щIэхъукIыу… И Iэ пхъашэ напэншэхэм уи гур хагъэщIу, Дурэш гуэрым зыщыбудыгъуауэ ущыгъкIэ, «Сэрэсате пшыналъэр» къыхедзэ уэр папщIэ - Урихьэжьэрэ уи гущхьэлъапсэр зэпитхъыу. И нэгум и Iэхэр Iуилъхьауэ, ар щэIурт, зэгуэудыным нэсауэ игъэв бампIэр хуэмышэчыжу. Сэри уэрэдыр нэзгъэсырт: ЛIэн-къэнэну, сымаджэу, факъырэу, лъэрымыхьу, Уигу щыкIарэ узыIумыплъэжыфу, Уогъэгъу псори «Сэрэсатэ пшыналъэм» и щIыхькIэ, ФIылъагъу узым ущыщхьэхуимытрэ уиукIыу! ЗищIысыр сымыщIэ къару гуэрым сигу къигъэкIри, нэгум щIэт шыкIэпшынэр хыфIэздзэ хуэдэу, си Iэхэр ездзыхри лъакъуэкIэ сытеувэжащ. ХьэщIэщыр Iэгуауэм зэгуихырт. ЗыхищIэ къыщIэкIынт екIуэкIыр мыконцертыжу, хейщIапIэ зэрыхъуар. УкI тезыр щытралъхьэ, лъыр щащIэж, утыкум ущраукIыхь. ЦIыхубэр IэубыдыпIэншэт. ЛъакъуэкIэ теуэхэрт, кIийхэрт, фийхэрт. ЗэрыIыгъыу эстрадэм къызэрыдэхьейрт. Iупхъуэ къуагъым къуэт артист пэшым цIыхуу щIэхуэр щIэтт. Ныбжьэгъухэр, сцIыху гуэрхэр, сымыцIыхуххэхэр, актерхэр, актрисэхэр, музыкантхэр, журналистхэр щIэзт. СытIысыну сыхунэсатэкъым бжэ зэхуакум Владеско и шыфэлIыфэ къэсцIыхужар къыщыкъуэщам. И нэм щIыр имылъагъуу, мыщэ губжам ещхьу нэфу къакIуэрт ар си дежкIэ, цIыхухэм я лъакъуэхэм теувэурэ псори зэбгритхъуу. ЩIэтхэм я псэр IукIащ. «Иджыпсту хьэдэгъуэдахэ гуэр къэхъунущ», - къэкIащ си гум. СыкъызэфIэуващ. Зы дакъикъэкIэ абырэ сэрэ дызэбгъэдэтащ зэрылIыну зызыгъэхьэзыр псэущхьэ IэлитIым ещхьу. Губжьым хужь ищIа и нэшхуэхэмкIэ къызэплъурэ бауэбапщэрт ар. Абы ихьар секунд бжыгъэщ. ИтIанэ… Зыгуэр щыхъеящ и гум. И щхьэм щыщIэдзауэ и лъабжьэм нэсыху и нэгур узым зэблишащ. - Сы… СыбукIащ! СыбукIащ! – гъумэтIымэрт ар, жьы хуримыкъуу. И Iэхэр кIэзызырт, и Iупэхэр пIэжьажьэрт. Техьэгъуэ къытехьам ещхьу, и пкъыр зэрыщыту зэщIэскъыскъэрт. - Сэ сощIэ… КъызгурыIуащ... Сэ… Сэ апхуэдэу сыщытыжынукъым! Зыхэпхрэ? Сыщытыжынукъым! – зэуэ къыхэкIиикIащ ар гужьеигъуэм хэту. И нитIым нэпсыр псыхьэлыгъуэу къыщIэжырт. Iэлу ихъуреягъыр къиплъыхьырт, тхьэрыIуапIэ ищIын къилъыхъуэм ещхьу. - Си нэм къыщIэубжьытхэ! И? Зыхэпхрэ? КъыщIэубжьытхэ! ИджыпстуупцIэ! ИтIанэ зэуэ, зэфIэщIыкIам ещхьу, ар шэнтиуэм ихуэри, зэщыджэу гъуэгын щIидзащ. 1927 гъ. *** Щхьэж зэрыхуейуэ зыщIрегъэлъафэ Щхьэж зэрехъулIэу и дуней йохыж Е ауэ сытми къызэрыкIуэу малIэ Зэрехъуэпсэфщ, зызэрызэкъуихыфщ. Зэмыщхьу уэрэ сэрэ дыхокIуадэ Дызэтемыхуэу, дызэгурымыIуэу, ХэкIыпIэ къэмылъагъуэрэ теплъэджэу МыгъэщIэгъуэну, гуащIэу, щысхь щымыIэу. Дапхуэдэу мы нэщыпхъуэм и къэухьым ДызэрыIэщIэкIынур, ди Тхьэу Лъагэ, Дызэмыгъусэу афIэкIа мы щIылъэм Дызэрытемытыжыфыр нэрылъагъумэ? Пасэрей романс Л. В[1]. Хуэсакъ, си псэ, утемыпсэлъыхь Сэ фIыуэ узэрыслъагъум, Уи данэпс бостей цIыкIур пщыгъыу ЖэщкIэ узэрысшэжым. Уи нэ къуэлэнхэм сыщIэплъэмэ Дунейр зэрысщхьэщыкIуэтым Жейм семызэгъыу бжьыхьэ жэщхэм Хьэлъэу сызэрыпхуэзэшым. АфIэкIа зырыз дыхъужынукъым Зы псэ къыдэхьэнкъым ди зэхуаку Гум игъащIэкIэи къинэн къудейщ ЦIыху ем и IэбэкIэ пхэнжыр. Уэ ущэху узэрыпсэ IэфIри, Сэ гъэфIэн закъуэу сызэрыуиIэри, Ди ехъулIэгъуэ хъииншэм Зыри зэрыхэмыIэбэфынури. Псори зы уэлбанэу теужынщ ФIыр щыкуэдщ гъэ къытпэщылъхэм Ди насыпри тхуэхъумэнущ Лъагъуныгъэр токIуэ – уигу игъэлъ! Уэ умыпIейтей, си вагъуэ лыд, Мы закъуэр зыщумыгъэгъупщэ: ФIыуэ плъагъум утемыпсэлъыхь, ЖумыIэж зэи зыми зыри.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "vertinski.txt" }
Лермонтов Михаил ЗэзыдзэкIар Бемырзэ Зурабщ * * * Гъусэ сщIыуэ есшэжьа си гъуэгур Мывэ джафэу пшагъуэм пхолыдыкI, Жэщыр уэмщ. Хоплъызэр къумыр уэгум, Вагъуэхэр уэршэру сщхьэщосыкI. Телъыджащэ уафэр и тепIэну Нэхупс къащхъуэм хожеикI дунейр… АтIэ, сыт гугъумыгъу зэхэзещхъуэну Къыстехьэлъэу, нобэ сызыхуейр? Сыпэплъэжкъым зыкIи сэ мы гъащIэм, СхублэкIами сыхущIемыгъуэж; Зы тыншыгъуэ хуиту зыхезгъащIэу Псэр згъэщхьэукъуэну сыхуозэш. Арми, ахърэт жейкъым си хъуэпсапIэр… Псэр езгъэжьэжынуи сыхуэмей, ГъащIэ къуэпсхэм си бгъэр я бэуапIэу Щэхуу сыжеину аркъудейщ. Жэщыр блэкIми, махуэми сигъафIэу, Къысхуеблагъэу гъащIэр лъагъунлъагъу, Дунеягъэр тхьэмпэу схуэуфафэу СыщIэлъыну уэму жыгей щIагъ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "vihozhu.txt" }
Лъостэхъанрэ Хьудрэ - Мы уэрэдыр куэдым зэхащIыкIыркъым псалъэ хэтхэм апхуэдизкIэ ухуэкIэ гъэщIэгъуэн яIэщи. Езыр щаусар Хэкуращ. «Уэ зегъэшэрашэри уэ зегъэшэрэз. Уэ Шэрэш и къазу Лъостэхъан зэрыжьэгъуху» жи. «Уэ Къумыху и бжьэу Лъостэхъан зэрыкIуэкIафIэ» жи. Бжьэм и лъэтэкIэм ирегъэщхь хъыджэбзым и зекIуэкIэр. ЩIалэм и цIэр Хьудщ, хъыджэбзым - Лъостэхъан. Пщащэр къегъэкIуасэри щIалэр мэзым щIохьэж. Бабыгуейхэр мэтэдж, къамэ яIыгъыу бзылъхугъэр къытрахыжри нэгъуей гуэрым ират. Ар зи гум темыхуэ Лъостэхъаным еус а уэрэдыр. ПщыхьэщIэ Джумгьэ Лъостэхъанрэ Хьудрэ А зегъэшэрашэ мыгъуэри а зегъэшэрэзи, А Шэрыш и къаз мыгъуэу Лъостэхъан зэрыжьэгъухуи, А Къумыху и бжьэ мыгъуэу Лъостэхъан зэрыкIуэкIафIи. Данагъуэу си щхьэцыгъуэшхуэ мыгъуэри Хьудми и дзажэ щIэдзи, Iэдиихуу си блэ хужьитIхэ мыгъуэри Хьудми и пщэрыдзэни. Сэ Хьуд хуэдэ щIалэ мыгъуи Дэнэ мыгъуэм укъисхыжыни? Сыт мыгъуэ си Лъостэхъан! Бабыгуейм лIыщхьэурэ дэсхэ мыгъуэми Къамэпэ къыздрашэхи, ИщхъэрэкIэ срашэхыж мыгъуэри Нэгъуейми сыныратыжи. Уо нарынэ хьай рай Сыту мыгъуэу сыкIуэдыкIей! Сыт мыгъуэ си Лъостэхъан! Хьудми и щIакIуэ гъуабжэ мыгъуэри МащIэрэ зэрыкъэбыфи, Бабыгуейм фэ фи тIэкIу мыгъуэри Лъостэхъан къыфтрихай. Уо нарынэ хьай-рай Сыт мыгъуэ си Лъостэхъан! Хьудми и щхьэц зэтелъхэр мыгъуэри А си дзажэ щIэдзти, Хьудми и щIакIуэ гъуабжэ мыгъуэри А си жэщ тепIэнти. Хьудми и шухьэ бащлыкъхэр мыгъуэри А си щхьэфIэпхыкIти. Сэ Хьуд хуэдэ щIалэ мыгъуэ Дэнэ мыгъуэм укъисхыжыни.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "warad.txt" }
МЫСЫР ЖЭЩХЭР Япэ Iыхьэ - Что это за человек? - О, это большой талант; из своего голоса он делает все, что захочет. - Ему бы следовало, сударыня, сделать из него себе штаны[1]. Чарскэр къыщыхъуар Бытырбыхут. Ар иджыри илъэс щэщI ирикъуатэкъым, фызкъэмышэт, и къулыкъури къытемыхэлъэу ирихьэкIт. Къалэтет къуэдзэу щыта и адэ къуэшым абы лъапсэ хъарзынэ къыхуигъэнат. Тхъэгъуэм хэмыкIыу псэуфынут ар, ауэ и насыпыншагъэкIэ Чарскэм усэ итхт икIи къытрыригъадзэт. Журналхэм абы «усакIуэ» къыфIащат, сенэхэм «зэхэлъхьакIуэ» къыщыхужаIэт. Усэрытххэм адрейхэм ефIэкIыу яхузэфIэкI къомым щхьэкIэ къэмынэу (пэжыр жыпIэмэ, родительнэ падежым и пIэкIэ винительнэ къыхахыну зэрыхуитымрэ «усакIуэ гукъыдэж» жыхуаIэ нэгъуэщI хуитыныгъэ зыбжанэмрэ нэмыщI, урыс усэрытххэм зэфIэкI лей ябгъэдъэлъу дыщыгъуазэкъым), ахэр куэдкIэ хелъафэ икIи ягу хэзыгъэщI Iэджэ яшэч. Псом нэхъ гуащIэу икIи нэхъ гутехуэгъуейуэ усэрытхым ишэчыр абы и цIэмрэ зэи кIэрымыкIыжыну къыкIэрыпщIа и цIэ леймрэщ. ЦIыхубэм ар езым и хьэпшыпу елъытэж; абы къызэрыфIэщIымкIэ, усакIуэр дунейм щIытетыр ар тригъэун, абы хуэщхьэпэн папщIэщ. Къуажэм къикIыжакъэ, япэу зыIууэр къоупщI: «ЩIэ гуэр къытхуумыхьауэ пIэрэ?» И Iуэху зэхэзэрыхьахэм, е игу зыхуэмыгъуэ цIыху зэрысымаджэм игъэщхьэжагъуэу къалъэгъуакъэ - мышууэ щIэгуфIыкIхэурэ упщIэ мышу кърат: «Уэ абы теухуауэ зыгуэр зыхэплъхьэ къыщIэкIынщ!» Гу зыхуищIаIа? ТхьэIухудым инджылыз тыкуэным албом къыщещэхури усэ къыщыхуагъэфэщэнум поплъэ. ИцIыху къудейуэ зыгуэрым деж Iуэху щхьэпэ тепсэлъыхьыну еблэгъакъэ – модрейм занщIэу и бын пажэр къреджэри ди зы къуажэ и усэхэр къиIурыбжыну унафэ хуещI. Апхуэдэу щIалэжь цIыкIум зэхифыщIа и усэхэр хьэщIэ ныш къыхуащIыж. Ахэр иджыри IэщIагъэм и удз гъэгъахэращ! НытIэ гухэщIхэр сыт хуэдэнкIэи хъуну жыIэт. Чарскэм зыкъиумысыжт фIэхъусхэр, лъэIухэр, албомхэр, щIалэжь цIыкIухэр зэриужэгъупам къыхэкIыу, шхыдэ мыхъумыщIэ гуэр къыжьэдэмыхун папщIэ дакъикъэ къэс зыкIэлъыплъыжын хуей зэрыхъумкIэ. Абы илъэкI къигъанэтэкъым игу темыхуэ цIэ лейр зыкIэригъэкIын папщIэ. IэщIагъэкIэ и насыпэгъу къуэш тхакIуэхэм защидзейт, абыхэм нэхърэ бэм щыщ цIыху къызэрыкIуэхэр, уеблэмэ нэхъ еншэ дыдэхэр нэхъ къищтэт. Зытепсэлъыхь хабзэри зым щымыщ защIэт, литературэ гугъу зэи къыхимыгъахуэу. Мэзкуу къикIыу Бытырбыху къыдэхьагъащIэ щIалэщIэм хуэдэу Iэнкунрэ гурыщхъуэщIу абы япэу къежьэ щыгъыныр щитIагъэт. Бзылъхугъэ лэгъунэм ещхьу зэлъыIуха и пэшым тхакIуэ зэрыщыпсэур уигу къэзыгъэкIын зы хьэпшыпи щыплъагъутэкъым; Iэнэ щIыIуи Iэнэ лъабжьэи тхылъхэр щызэбгрыдзатэкъым, шэнтыр шэкъэ защIэтэкъым, тхэныгур зэрыщыхэгъэрейр, жыхапхъэмрэ хъыданымрэ зэрыщыхамэр уи нэм къыщIэуэн хуэдэуи зэлъыIутхъуатэкъым. Чарскэм гузэвэгъуэ къылыст цIыхубэм щыщ и ныбжьэгъухэм яз къыщIэхьэрэ къэлэм IэщIэлъу кърихьэлIэмэ. Уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнукъым хэлъэтрэ гулъытэрэ, шэч хэмылъу, зыбгъэдэлъ усакIуэм къыфIэIуэхункIи хъуну къомыр. Абы зэ шы гъэбжьыфIахэм ятхьэкъуауэ фэ зытригъауэт, зэм куэзыр джэгуным зритынт, зэм шхыныгъуэхэм дихьэх зищIынт, ауэ щыхъукIэ бгырыс шы лъэпкъыр хьэрыпышым къыхухэцIыхукIтэкъым, куэзыр щIэхуахэр зэи игу хуиубыдэтэкъым, зиумысмэ, франджы пщафIэхэм къагупщыса шхыныгъуэ гъэщIэгъуэн къомым нэхърэ дэпкIэ гъэжьа кIэртIофыр куэдкIэ нэхъ фIэIэфIт. Ар зэгъэзахуэшхуэ хэмылъу псэут, джэгу псоми зыщигъэпIийт, къэрал лIыкIуэхэм хуагъэув Iэнэу хъуам щыхэпщт, Резэнов и шэIумылу[2], дэнэ пшыхьи уи пащхьэ къыщихутэт. ИтIани ар усакIуэт, зытхьэкъуа IэщIагъэр IэпыщIэзудыфын къаруи дунейм теттэкъым. А бэлыхьым (арат ар тхэныгум зэреджэр) иубыда нэужь, Чарскэм и пэшым зыщIиубыдэжти пщэдджыжьым щыщIэдзауэ жэщыку хъуху тхэт. И ныбжьэгъу пэжхэм абы захуиумыст апхуэдэхэм деж фIэкIа насып жыхуаIэр зэхимыщIэуэ. Адрей зэман псоми абы зигъэкъулыкъущIэу къиджэдыхьт, дакъикъэ къэс «ЩIэуэ зыри птхакъэ?» жыхуиIэ упщIэ зэрыцIалэр зыщхьэдигъэIухыу. УзыщIэхъуэпсыр IупщIыбзэу щыплъагъуфрэ, нэгум къыщIэувэ теплъэгъуэхэм хуумыгъэфэщэххэу псэ зыIут псалъэхэр занщIэу щыжебгъэIэф, усэхэр тыншу уи къэлэмыпэм къыщыпыкI зэщIэжьыуэхэр гупщысэ захуэхэм къапежьауэ къыщыжэ а гурыфI нэIуасэм зэщIищтат пщэдджыжь гуэрым Чарскэр. А зымыщIэжыныгъэ IэфIым хэткIухьт… цIыхубэми, абы и Iуэху еплъыкIэми, езым и гурей-гурыфIхэми мыхьэнэ ямыIэжу. АтIэ, абы усэ зэхилъхьэт… Асыхьэтым и пэшыбжэм и кIыгъ макъ къэIури цIыхущхьэ хамэ гуэр къыкъуэщащ. Чарскэр къащтэрщ, и нэщхъыр зэхиуфэри: - Хэт ар? – жиIэри щIэупщIащ, зэгуэпарэ, здэщысыпхъэ щIэхьэпIэм деж зэи щымыс и унэIутхэм игукIэ яхуэшхыдэу. МыцIыхур къэкIуатэри къыщIэхьащ. Ар лъагэтэкъым, къуэгъут, илъэс щэщI ирикъуами арат. И нэгу къамылыфэм и зэхэлъыкIэр IупщIт: щхьэц баринэ фIыцIэ къызытелъ натIэ фагъуэ лъагэм, нэ фIыцIэ лыдхэм, къуршыбгъэ пэбгым, жьакIэ Iувым, зи нэщIащэхэр иуа нэкIу фагъуэм зэрымыхэгъэрейр къуагъащIэт. Абы зи дыпIэ текIыжахэр къызыхэщ цей фIыцIэ щыгът, бжьыхьэр къэса пэт и гъэмахуэ гъуэншэджыр пIащIэт. БгъэIулъ гъуэжьым къытелъ и пщэдэлъ укъуеям налмэс нэпцI хэIуат, и шляпэ къурэми гъэри щIыри зэрызэринэкIар нэрылъагъут. Мэзым ущыхуэзамэ - хъунщIакIуэу, цIыхубэм яхэту уIущIамэ – тIасхъэщIэхыу, унэ щIэхьэпIэм – щхъухьрэ дзыгъуэгъалIэрэ зыщэ пцIыIуэпцIышэу къыщыпфIэщIынут ар. - Сыт фыхуейт? – жиIэри еупщIащ абы Чарскэр франджыбзэкIэ. - Зиусхьэн, - къритащ жэуап мыцIыхум, щхьэщэ лъахъшэ ищIурэ, - кхъыIэ къысхуэгъэгъу зыгуэркIэ … Чарскэм абы шэнт хуимыгъэкIуатэу езыр тэджащ, адэкIэ зэрызэпсэлъар урымыбзэщ. - Сэ сысурэтыщIщ Неапэл сыкъикIауэ, - жиIэт мыцIыхум, - си Iуэхухэр зэхэзэрыхьати хэкур сымыбгынэу хъуакъым, си талантым[3] сыщыгугъыу Урысейм сыкъэкIуауэ аращ. Чарскэм щIалэ мыцIыхум шыкIэпшынэ дэуэудэпщэ иригъэкIуэкIын папщIэ унэ-унэкIэ къикIухьурэ билетхэр ищэу къыфIэщIащ. Къызэрыщыгугъ сом тIощIрэ тхур IэщIилъхьэу и натIэм иригъэкIыну зигъэхьэзыр пэт, модрейм къыпещэ: - Зиусхьэн, IэщIагъэкIэ уи къуэшым зыщIэбгъакъуэу, уэ укъыщацIыху унэхэм сыщIомышэфыну пIэрэ? Абы нэхърэ нэхъ удынышхуэ Чарскэм и щхьэ хуищIыж пщIэм ебдзыфынтэкъым. ЗызэкIэщIишу къуэш зыкъыхуэзыщIам хуеплъэкIащ ар. - Хэт фыхъунуми сытыфэ къэзэфплъми сыщIэупщIэну хуит сыкъэфщIыт? – унафэ щIэлъу зыхуигъэзащ абы къыщIэхьам, къарууэ иIэмкIэ и губжьыр зэтриIыгъэу. Неапэл къикIам гу лъитащ ар зэрызэгуэпым. - Зиусхьэн, - жиIэри къригъэжьащ абы зэIынэурэ, - сэ… си гугъащ… сэ къысфIэщIт… зи щIыхьыр ин, къысхуэгъэгъу… - Сыт фызыхуейр? – аргуэру зэ щIэупщIащ Чарскэр пхъашэу. - Сэ уи зэфIэкI къызэрымыкIуэм теухуауэ куэд зэхэсхат; шэч къытесхьэтэкъым мы щIыналъэм щыщ зиусхьэнхэм уэ пхуэдэ усакIуэшхуэм зыщIагъэкъуэныр пщIэуэ къызэралъытэнум, - жиIащ урымым, - аращ уи деж сыкъэкIуэну сыщIытегушхуар. - Ущоуэ, зиусхьэн, - жиIэри зэпиудащ ар Чарскэм. – Ди дежкIэ усакIуэ цIэ щызекIуэкъым. Дэ ди усакIуэхэр зиусхьэнхэм я жьауэ щIэткъым, дэ ди усакIуэхэр езыхэр зиусхьэнхэщ, ди псапащIэхэм (зэпытыр къызыхуэкIуэнхэм) ар ямыщIэу щытмэ, езыхэращ хилъафэр. Дэ духьэшы щыгъыныджэ диIэкъым макъамэтхым уэрамым къыщигъуэтурэ либреттэ зыхригъалъхьэу. Ди усакIуэхэри я Iэр шияуэ унэрыхьэ-унэрыкIыу дэткъым. ГушыIэм къыдэкIуэу сыусакIуэшхуэу къыбжаIэгъэнкIэи хъунущ. Пэжщ, зэгуэр хъуэр мыхьэнэншэ зыбжанэ стхауэ щытащ, ауэ, Тхьэм и шыкуркIэ, зиусхьэн усэрытххэм яхузиIуэхуIакъым апхуэдэ гукъыдэжи сиIэкъым. Урым тхьэмыщкIэр Iэнкун хъуащ. Зиплъыхьащ. Ар къагъэуIэбжьащ дапхъэ ехьэжьахэм тегъэса сурэтхэми, мраморымрэ домбеякъымрэ къыхэщIыкIа фэеплъхэми, джэгуалъэ лъапIэхэми. Абы къыгурыIуащ къэдабэ пыIэ шопс щхьэрысрэ тырку шылэхъар зыщIэпха китай хъэлат дыщафэр зыщыгъ щIалэ ехьэжьамрэ пщэдэлъ укъуея зыдэлъ, цей текIыжа зыщыгъ абы и пащхьэм къит езы гъуэгурыкIуэ джэгуакIуэ тхьэмыщкIэмрэ зыри зэрызэхуамыIуэхур. ХьэщIэр къысхуэгъэгъу гуэрхэр къигъумэтIымщ, щхьэщэ ищIри щIэкIыжыну хуежьащ. Ауэ, тIэкIу хьэлыншэми, гу хьэлэлрэ псэ къабзэрэ зыбгъэдэлъ Чарскэр абы и тхьэмыщкIафэм игъэпIейтеящ. - Дэнэ-тIэ уздэкIуэр? – жриIащ абы урымым. – КъэувыIэ… Сэ схуэмыфащэ фIэщыгъэр зыкIэрызгъэкIыу сызэрымыусакIуэр бжесIэну си къалэнт. Иджы уи Iуэхухэм дытепсэлъыхьынщ. СхузэфIэкI пхуэсщIэну сыхьэзырщ. УшыкIэпшынауэу ара? - Хьэуэ, зи щIыхьыр ин, - жиIэри итащ жэуап италяным, - сэ сыусэрыпсалъэ тхьэмыщкIэщ. - Усэрыпсалъэ! – къыхэкIиикIащ Чарскэр, мобы гущIэгъуншэу зэрыхущытар и гум ежэлIэжау. – ЗанщIэу щхьэ жумыIарэ-тIэ узэрыусэрыпсалъэр? – дыщIигъущ и фIэщу щIегъуэжа Чарскэми щIалэм и Iэр иубыдащ. - О, ар цIыхушхуэщ, зыхуэмыIэзэ щымыIэу; и макъым сыт хуейми къыхещIыкI. - Гъуэншэдж къыхищIыкIын хуеящ абы и макъым, гуащэ. [2] ШэIумыл – мэрожнэ (урыс.), гъэдиигъэ. [3] Талант – мыбдежым – зэхэлъхьэкIэ, гъэзэщIэкIэ Iэзагъ, зэфIэкI.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "yegipetskiye.txt" }
Сэ фIы дыдэу къызгуроIуэ а емынэ узыр дэтхэнэ зыми зэрытпкъырытыр, сыту жыпIэмэ, дунейм зы цIыхуи теткъым, пэжщ, пэжщ, ар зылъэмыIэса зыри теткъым. Аращи, зумыгъэпсэхуу узыкIэлъыплъыжын хуейщ, убэлэрыгъыу, зыгуэрым ужьыхэбауэу умыцIэлэн щхьэкIэ. Сыту жыпIэмэ, узэрыцIэлэжыныр Iуэху къызэрыгуэкIщ. Адрей псори - узыншагъэри, Iулъхьэ Iуумыхынри, къабзагъэ дыдэри – зы къэмынэу хэлъэтым къыхокI. ПсэхупIэ зэзытыжын хуэмей хэлъэтым. Зыри зымыцIалэ цIыху пэжыр дакъикъэ закъуэкIи зызымыгъэпсэхурщ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "yemina.txt" }
Лъагъуныгъэ хъыбар Зи гугъу сщIынур хьэгъуэлIыгъуэхэм къыщаублэхэмрэ къуэхьэпIэм зыпытщIыжын зэрыщыдмыгъэтымрэщ. Сытым щыгъуэ, игъащIэм димыхьэлауэ, ди нысашэхэм «шоурэ» «концертрэ» къахэтщIыкIын щыщыдгъэтынур? Лъэпкъ гуэрхэр щыIэ къыщIэкIынщ нысашэр нэхъыжьи нэхъыщIи, хъулъхугъи бзылъхугъи щызэхэзэрыхьа гъэлъэгъуэныгъэ нэгузыужьу щытын хуейуэ къалъытэу. НысащIэмрэ щауэмрэ псори къеплъу утыкум ису… ЗагъэпщкIун дэнэ къэна, иджыри абыхэм папщIэ лъагапIэ щхьэхуэ къызэрагъэпэщ, псоми къалъагъун хуэдэу! Абы ищIыIужкIэ къагупсысар сыт жыIэ? ЗэрышагъащIэхэм я нэчыхьыр ятхын ипэ зэхуэзэу зэрыщытамкIэ псоми я пащхьэм зыкъыщаумыс. «Love story» жыхуаIэращ! Сыт а «лавстори»р зищIысыр? Ар мы ныбжьыщIэхэр паркым щызэхуэзэу, щIалэр пщащэм еIусэу, и Iэбэ цIыкIухэмкIэ къришэкIыу зэрыщытам и видеощыхьэт къагъэуву аращ… Я благъэ псоми я пащхьэм, я адэ-анэри, я лъэпкъым щыщ нэхъыжьхэри яхэтыжу, къыщагъэлъагъуэ: пэжщ, дэ дызэдэщIыгъуу дыкъекIуэкIащ! Пэжщ, дызэIущIэурэ IэплIэ зэхуэтщIу щытащ. Фыкъаплъэ! Доплъ… ХьэщIэщым щIэс псори я гур хэхъуэу Iэгу йоуэ. Псом хуэмыдэу нысашэм къекIуэлIа бзылъхугъэхэр! Сыт ахэр нэхъ лейуэ щIэгуфIэр? Нысашэ хуэIухуэщIэхэр бзылъхугъэхэм я унафэ щIэту йокIуэкIри! Бзылъхугъэхэм екIуу къалъытэ пхъур а зэманым иджыри и хамэу щыта хъулъхугъэм и Iэпэр иIыгъыу паркым зэритар! Iэгу йоуэхэ, апщIондэху я цIыхухъухэр зэрагъэпудыр ягу къэмыкIыххэу! Иджыпсту абыхэм я телъхьэхэм зэрыгъэкIиен щIадзэнущ: «дэ XXI лIэщIыгъуэм дитщ», «а хабзэхэр щыIэжкъым», «иджы гъащIэр апхуэдэу хъуащ, зэманым декIур лIыфIщ», - жаIэу. Пэжщ, зэманым зыдебгъэкIун, къежьэми удэгъуэгурыкIуэфын хуейщ. Ауэ абы къикIкъым нобэр къыздэсым псы къабзабзэ фIэкIа тIузымыгъэхуа псынэм иубжьытхэн хуейуэ. Пэжщ, псыр бжьамийхэмкIи зокIуэ - фIыщ икIи тыншщ къибгъэхъуэну. Ауэ а бжьамийхэмкIэ кърижэ псыр щымыкъабзэ куэдрэ къохъу. Абы щхъухь къыхэзэрыхьу зэрыунагъуэу, уеблэмэ зэрылъэпкъыу узэтригъэкIуэдэжынкIи хъунущ. Дауи, псынэм псы къипшыну нэхъ гугъущ краныр пIуантIэу къибгъэхъуэн нэхърэ, ауэ псынэм псы къабзабзэ къипхыху, уи гъащIэри уи лъэпкъым и дунейри ибогъэфIакIуэ. Сэ си щхьэкIэ сыхуейкъым си бынхэр (сипхъухэм я гугъу умыщIыххэ) ахэр сагъэлъагъуну. А зи гугъу сщIыхэр ди нэгу щIэкIыху, илъэсипщI-пщыкIутху дэкIынурэ, абыхэм я ныбжьым итхэм я дежкIэ дэ щIэуэ къедгъэжьахэр хабзэ хъунущ, «япэм апхуэдэу ящIу щытащ» жаIэу. Иджыпсту сэ щыму сыщысмэ, а зэманыр къэса нэужь, яжесIэн згъуэтыжынукъым. Абы къыхэкIыу, нобэ къарууэ сиIэмкIэ сэ апхуэдэ нэгу зегъэужьыкIэри къуэхьэпIэм и щэнхабзэри Кавказ хабзэхэм, си лъэпкъ хьэлым къызэрыхэзмыгъэIэбэным сыхущIэкъунущ. Сыту жыпIэмэ, сэ шэч закъуи къытесхьэкъым дунейр щэныфIагъ и лъэныкъуэкIэ гужьеигъуэ хэхуэмэ, абы зызридзэну кхъуафэжьейр Кавказ хабзэхэрауэ къызэрыщIэкIынум. Дэ ди япэ итахэм тхуахъумар дэри ди бынхэм яхуэтхъумэну къыттохуэ!
{ "source": "adygabza.ru", "id": "yemquzh.txt" }
Анэм деж тхыгъэ ЗэзыдзэкIар Бемырзэ Зурабщ Сытхэр уи дуней, си анэ дыщэ? Сэ сылъэрытетщ. Фэхъус, фIэхъус! Ахъшэм гъуэзыр зэнзэныпсу ищэу Уи уэгу лъащIэм пшыхьыр щреплъыз. Сэ къызжаIэ укъысхуезэшауэ, Гузэвэгъуэм уищIу щтэрэщтэж, Ныбжьырей уи хуатэр къошэкIауэ Си лъэужьыр пщIауэ гугъэхэж. Жэщ кIыфIыгъэу, уи нэхэм щыбгъашхэм Зыщ, хэплъагъуэу, узыгъэгужьейр: Чэф зэрышхым, къуейнару дзэлашхэу, ЩIагъэлъадэущ си гущIагъ сэжьейр. Арми, си псэ, уигу умыгъэныкъуэ, Ахэр псори уз уэлбанэушщ – Дауи сылIэжынт сэ чэфыжьыкъуэу, УэркIэ сымыщIэжурэ IутIыж. ЗэрыпщIэжу, сэ сыпхуэгумащIэщ, СызэпщIыхьри, сызыхузри зыщ – Жьыгъэм хэкIэжа ди унэлъащIэм НыхуесхьэлIэжынырщ си нэхуыщ. Ди жыг хадэм гугъэхэр дэтIэпIу Уэ плъагъунщ ди деж сыщепсыхыж. Ауэ, кхъыIэ, си жейбащхъуэ дэпым УкIэщIэпщэу сыкъомыгъэуш. ХэгъэкIуасэ жейм си гугъэ мыхъухэр, Хэгъэжае къызэмыхъулIар, Си щIалэгъуэ гъащIэ дыгъэмыхъуэм Гуауэ гъунэу гъэхэм щыралъар. Сомыгъасэ щыгъэрыжэ лъэIуми, Сэ блэкIам си гугъэр хэсхыжащ. Гъэ зэрыхъэр схуизыхыжу плIэIум, Уэ зыращ схуэмыгъуэу къэнэжар. Сабырыжи, уи гур схуэзэгъауэ, Си лъэужьым укъыхэмыплъэж. Ныбжьырей уи хуатэр къошэкIауэ, Уи гукъеуэр пшыхьхэм йомыщэж.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "yesenin.txt" }
Зы псэуэгъу иIэн хуейщ цIыхум ЗэзыдзэкIар КIэрэф Албузщ Зы псэуэгъу иIэн хуейщ цIыхум жыбгъэм абы и мэр къыпихыу, уэщхым абы и макъыр къыщIэIукIыу. Пщыхьэщхьэ... абы сыIуплъэнус жиIэу, и гур пщIащхъуэм хуэдэу къыфIиIукIыу, унэм щыкIуэжкIэ и лъэр фIызэрыкIыу, Ар здэщыIэр Жэнэт щIыпIэ хуэдэу илъагъуу тепсэсыхьрэ, теплъэкъукIын игу пымыкIыу... и налъэу хъуам лъагъуныгъэ къыщыщIивыкIыу, пщахъуэ губгъуэр хы псышхуэ къыпщигъэхъуу Зы псэуэгъу иIэн хуейщ цIыхум! Сэ сылIэху фыуэ услъагъунущ къыбжесIэнкъым! Сэ уэ фIыуэ услъагъуху сылIэнIым...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "yucelcan.txt" }
ЗэзыдзэкIар Къармэ Iэсиятщ *** Мис, иджы, пщащэ цIыкIухэ, фи кIуэдым, ПIалъэу зэ фхурабзам фылъоIэс… Си дэлъху уардэхэм я натIэц вындым ПыIэ къуацэхэр ныщхьэрагъэс. Дыщэ Iэгуу дахащэр зэщIехри Мазэ Iэщхьэм жэщ щхьэфэр егъафIэ, Пшынэу щыIэм я пшынэр зэгуехри – Иублэну пшынауэм джэгу къафэ. Пшынэ Iэпэхэм жэщыр хэщатэу, И уэрэдыр макъамэу зэщIохьэ, Мис, иджы, пщащэ цIыкIухэ, фи кIуэдуэ – Си дэлъху гупыр – къэфэну къытохьэ. ЩырадзэкIмэ натIэцыр – плъэгъуакъэ! И абджынэр щхьэгъубжэм зууакъэ!.. Угъурлыжьу ди жылэ игъащIэм Къызэрыфэр апхуэдэщ – зэвгъащIэ. Нэхъ «щIалэжьу» ялъытэу щытахэр Зэуэзэпсэу иджы къонэщхъей, Мис, иджыщ, пщащэ цIыкIухэ, фи кIуэдыр – Си дэлъху гупыр техьащ ислъэмей. Жэщыр кIуэнурэ … ахэр лэжьакIуэщ. Иджыпстумэ, пкъы задэу къэфакIуэщ, Иджыпстумэ, утыкущи зыхуейр – Ислъэмей… Ислъэмей, Ислъэмей! Пщащэ цIыкIухэм къызжефIэт къэхъуар, КъыфщыщIар, къывищIар ислъэмейм? Иджыпсту фи къэфэкIэр зэщхь хъуар – Унэишэм и кIуэкIэщ, фыфейм… ФыхэкIуасэу тIурытIу макъамэм, Мэбзэрабзэ фи пшынэр нэху щыху. Мис, иджы, пщащэ цIыкIухэ, фи кIуэдым – Си дэлъху уардэхэр мэхъу къэшэныгу. 1965 *** Iахь, сыт хуэдэу шы Iэлхэр ягъасэт! Къамэ Iэпщэхэм халъхьэт саут. псапэ ящIэм, хэIущIыIуи ямыщIу: ЦIэ дамыгъэ а фIым трамыщIэу; IэштIым дакъэхэм губжьыр щIакъузэу Лейрэ Iейрэ защIыр ягъэмысэу. Иджыпстуи къыщокIуэкIыр а лъахэм хьэщIэихьэ – бысым хабзэ дахэр. Ауэ сытми яIэтрэт бзылъхугъэр! Згъэзэжынт а дунейм, а псэхугъуэм… СыщIыпIущIэм, епсых, лъагэу уи пщIэ, гуащIэмащIэр сэращ – пщымыгъупщэ! … Си адэшхуэм и адэм къихьат-тIэ Си адэшхуэм и анэр – лъыщIэжт… Дапхуэдизу ткIиями, ар хабзэт, Пасэрейхэм я Iущ щIагъыбзэжьт. ЩIэблэр щIагъуэмэ – хабзэ зэрехьэ. ЛъапIэр – здахьыркъым, лъапIэр – зэрахьырщ. Лъэпкъ Iущыгъэр къалъхунум и дыгъэщ, а уахътыншэм и мыщIэр цIыхугъэщ. 1972 *** УсакIуэхэр къигъэщIкъым пщIэншэрылъхуу. ФыIуплъэт я псэукIэ хуэмыщIам: Псэуакъым ахэр, щIы уи фIэщ, хуэмыхуу, щIэращIэу ахэр, щIы уи фIэщ-псэуам. УсакIуэхэр къигъэщIкъым зыпсэзыщхьэу, дэтхэнэ цIыхури ахэм я зы къуэпсщ. Къахуэупсауэ лъапIэ щэхур здахьу – а хьэхум цIыхур дызэреджэр – псэщ. УсакIуэхэр къегъэщIри усакIуэу къыздахь хьэш кугъуэм и дамыгъэ щэху – Къамылъху ипэж хуагъэтIыгъуат усакIуэм Гъадэ шэрэзым я щхъухьыбжьэ мэгъу. 1994 *** Си Тхьэ! ЖысIатэкъэ псори… Сыт къэбужъгъыжыр шакъэпс, утхьэусыхэу, уIуэщхъуу, пхуэмыIуэтэщIыр сыт нэпс? Дэтхэнэ гуауэм и хьэлъэр уэрэд цыкIуэкIым тесшэн… Си Тхьэ! Уи деж согъэтIылъыр. си фIэщхъуныгъэр мычэм. КъысфIыпхырыплъмэ гъэ кIуэрым къамыха вагъэм и нэз, щIалэгъуэ Iупэм аргуэру къиIущэщынщ шакъэ нэпс. 1994 * * * КъызжеIэжыт «нанэ» пхуагъэфIа гухэлъыр, къыщхьэрипхъуэу и нэ – зыщымысхьа шылъэр. УщIэукIытэу-Хабзэр, Фызабэ щхьэлъащIэр - А уи нитIым язым уапэзыгъэIэщIэр. А зы гурыфIыгъуэу, А Iуплъэгъуэ хьэхур - хамэ хьэгъуэлIыгъуэм епщIэкIыжа щэхур. А жэщ фIыцIэ Iувым хыумыIэта напIэр, а ислъэмей къафэм хилъэсэж нахуапIэр. Зызыукъуэдий Iэпщэу уи нэгу щIэта IэплIэр… ПхуэмыгъэнщIа къафэу къомэщIэкIыж уафэр. Уи жэщыпсэ пIалъэу- шэмыгъапцIэ гъащIэр… Нанэ, къызжеIэжыт, Iухыт нэмэз щыгъэр. Щыгъэр IэпэщIэжу, сощIэ зи цIэ пшэщIыр, узыхуэлъэIуэжу - сощIэ къэпIущэщыр. КъызжеIэжыт, нанэ, къыщыпхуэмеижыр, нэгъуэщI хьэгъуэлIыгъуэу- жэщ гу (ы) имыхужыр. Псэм щыбгъэфI а мыгъуэм и Iуплъэгъуэ хъуэтыр, ислъэмей архъуанэм иужьгъыж гукъутэр. ЗызышэщIа Iэпщэр, пхуемыхьэха напIэр, арщхьэкIэ… тIуанэр- зэлъэщIиха IэплIэр, а бжэщхьэIу икIыгъуэр,- а уи зэплъэкIыгъуэр… Жэщ теIущIыкIыпIэр! Жэщым и кIыхьыгъуэр… Дзыхь къысхуэщIи, нанэ, зыщ къызгурымыIуэр: а псэ уз хьэнкъуным гъащIэкIэ уиуIурэ? Сыт иджы уи щыгъэр езгъэпIэщIэкIар? Сыт а уи нэкIущхьэр,- фагъуэу зэщIэкIар? укъыхуэмышачэ… сэ сшэча гурыгъум, а ислъэмей жьачэр сохь гущхьэ уIэгъэу. 1967
{ "source": "adygabza.ru", "id": "zadzakigahah.txt" }
Си щIымахуэ Мы щIымахуэр усэ щылъхущ, мы щIымахуэр гъащIэ натIэщ, псэм и чысэм и уэншэкущ, мы щIымахуэр псысэ ныбэщ. Мыпсалъалэ, мыкъийн, нэпсыр гущIэм щегъэупщIыIу, цIыхухъу хьэлу егъэпщкIуф гукъеуэу къылъысар, и гущэкъу уэрэдым щIожейкIыр дуней IурыщIар. Мы щIымахуэр чысэ хьэхущ, нэкIи псэкIи лъащIэ здомыгъуэтщи, и уэс щабэр тхуищкIэрэ лъэгущIыхь къытхухеIущIыкIыр ди пщэдейм и лъэс лъагъуэр. Тету жаIэу зэхэсхамэ, тхьэм зэгуэрми къауц, къысфIэщIынти тхьэшхуэм и цыр ипхъыжауэ. Псэр и уасэу бегъымбарым кърища и пщIыхь удахэр и тын къабзэу мы щIымахуэм дэ дыхуеущийр адрей гъищ къэнам. Ар къыщIытхуэткIийми и щхьэусыгъуэр зыщ-и къабзагъэм сытым щыгъуи дэ дыхуэфащэнырщ. Мы щIымахуэр си псэлъыхъущ, сэ нэхъ псэлъыхъуфIи сымылъыхъуэ, хъуэрым я нэхъ жаныр зи Iэдэжым Iэ сэмэгум и псэр кърилъхьащи сэ сIэщIожабзыхь. ЕщIэ и ухыгъэр сэ зэрысIэщIэлъыр, ищIэ пэтми, къигъэзэфкъым и щIыбагъ. Тхьэмрэ цIыхумрэ я хьэтыркIэ и псэр схуихъумэну сэ селъэIуми, зэрысхуэгумащIэр сщIэми, зии схуэмыжыIэщIэ. Мы щIымахуэр сэ къысхуэерыщщ, къысщIитын мурад ищIащи и псэр, схутемыгъэуж, ар щымыгъуазэххэу сэ зы щэху сохъумэ, мы щIымахуэр усэ сатырыхьщ, сэ абы куэд щIауэ сыхуопсэрыусэ. Уафэм къыщалъхуа Уэ пщIэжрэ гъащIэ дэ щыдимыIар, уафэгум лъапцIэу къыщыщыджыхьар, губгъэн къыщытхькIэ пшэ гуэрэнхэр ди нэщыпхъуэу, уэ пщIэжрэ дыкъыщамылъхуар? ЦIыху гуэшым деж лъэIуакIуэ дыкIуэ пэтми, дыкъыщалъхунур IулъхьэкIи къимыгъэблагъэу, дыкъетIысэкIрэ мазэм и жьэгу мафIэм псэ зратахэм дыщIэхъуэпсу дыщыбгъэдэсар. Зэм дыгубжьарэ пшэхэр зэдудэкIыу, абыхэм мафIэхъуэскIыу щыблэр яку къыдэкIыу, уэ пщIэжу къыщIэкIынущ ахэр псори. Уэ пщIэжрэ бегъымбархэм ди гущэкъур щрабзар, сощIэжыр узэрыгуфIар. Сэ сыпхуэзгъафIэу мазэм зезгъэгъэпщкIури бэлыхь ухэзгъэтат, узэрызгъэгузавэр сщIэми ар си гуапэу, укъызэрыслъыхъум сигу хигъахъуэу, уи екIужыпщIэу вагъуэхэр схуэбгъаплъэу, къэкIуэнум фIыкIэ сыпэбгъаплъэу ди гъащIэр щызэмыпцIым дыпсэуащ. Насыпыр сытым дежи тIурытIылъхущ, я закъуэу къалъхухэр насып бынкъым, дэ тIур насыпым дритIолъхуэныкъуэт, дригъэфIэнт, дриIэрыпIт, насып и тхьэбзэр телът ди гущхьэм. Апхуэдэущ жэщ борэным дыкъызэралъхуар, арат ди натIэми къратхэжар. Арами, гъащIэ емылыджым ди псэм и лъэс лъагъуэр щыхэгъуащэм, ди насып хадэр бзум ябгынэжащ, гунэфу уэ укъыщыщIэкIым, кунэфу гъащIэр къыщIэкIащ. Гукъеуэ шэпхъыр зыхэз гъащIэм зыщибзыжар пщIыхь минхэр жаIэжа иужьщ. ФIэщмыхъу жылэ щапIа хуэдэ, сэри уи гухэлъ щтырыгъухэм сахуэдзыхьщIыгъуейт, анэнэпIэсу зэм сахуэгущIыIэт. ИтIанэ…Уэ пщIэжрэ щIылъэм дыщыщыпсэуар, уэрэд псыкъелъэхэр къиткIуту, гухэлъ толъкъунхэм зыщыдгъэпскIыу, насып и фарзыр хуэдгъэзащIэу, ди Тхьэшхуэм вагъуэхэр тхуигъажэу, зэи икIыжынкъым сигу дэ щIылъэм дыщыщыпсэуар… Уэ узихуэдэр пщIэрэ? Ухуэдэщ уэ щIымахуэм къэгъэгъа епэрым, зи фIэщхъуныгъэр уаем нытекIуам. Зи щхьэфэр тещтыкIа дуней щIыIэжьым гуапагъэкIэ щыгугъыу къыдэзышеям. Ущисми щIыIэм уэс гущIыIум, уэс напэм и къабзагъэм уэ ущогуфIыкI, дуней къыпхуэмысакъым къыптрилъхьэми Iумылыр, ибогъэткIухьри ибогъэхыр уиIу хуэбам. Уэ пцIыхукъым гъатхэм и гуапагъыр, гъэмахуэм и хуабагъым и хъыбари зэхэпхакъым, уэ уощIэ, дауи уи закъуэ фIэкI щIымахуэм щытемыткIэ, адрейхэр гъэ нэхъыфIхэм зэрыпэплъэр. Ухуэдэщ уэ щIымахуэм къэгъэгъа епэрым, ухуэдэщ зыхуэбгъафIэу зэман уаем игу къэзыхьэхуну хэтым, урещхьщ уэ хуабжьу къарууфIэм, урещхьщ уэ гъащIэм пэувам, урещхьщ щIымахуэр фIыуэ зылъэгъуам, урещхьщ уэ япэу ягъэунэхум. Урещхь къудейщ, сэ сощIэ, уэ щIымахуэр фIыуэ плъагъукъым, мы дуней дэгум уи псэр щогужьей, борэн нэхъ жьейхэм ураныкъуэкъуэгъущи, гъэгъар IэмыщIэм щыпфIафыщI зэпытщ. Уи бэшэчагъыр ягъэунэхур пэжу къыщIэкIынщ, уэ лIыгъэ зэрыпхэлъыр шэч къызытомыхьэнщ. ЩIымахуэ шылэм, жылэхэр щыжейм, дунейр жагъуэгъуншэ хъууэ къыщыпфIэщIым, уи гукъыдэжкIэ дуней нэфым укъытралъхуат, епэрыр зылъэгъуахэм ягъэщIагъуэу блэкIми, абы и гуакIуэр къэзыщIар зырызщ. Ухуэдэщ уэ… Уэ узихуэдэр пщIэрэ? Уэ пхуэдэ мы дунейми темыт! Псэм и псалъэ … Къэубыд си Iэпэр, накIуэ, дыщIэгъапхъуэ дыхэгъэхьэ гъащIэ къытхуигъэфэщам, уэрэ сэрэщ ар зи гъащIэр, накIуэт, дэ къэдгъэгъащIэт къытхуиухар. Уэрэ сэрэщ къыхахар ныжэбэ, дуней гъащIэ дахэр зратар. КъыщытхуагъэфащэкIэ дэ дыпсэуну, дегъэплъыт гъащIэ жыхуаIэжым, къэдгъащIэ дэ насып жыхуаIэр, ар зиIэхэм дэ дахэтынущ, дауи, къыщытхуигъэфащэкIэ, мы гъащIэр - ар насыпкъэ?! ЛъагъуныгъэкIэ цIыху цIыкIур зэджэу, апхуэдизу IэфIыр дэ къэдгъащIэ. Дегъэплъыт, псори щызыгъэкIыу къызфIэзгъэщIыж, гуэныхь мыухыр къезыгъэхьу - мылъку жыхуаIэри зищIысым. КъэдгъащIэ ар напэм и пэ щIрагъэувэр, къэзылъхуа дыдэхэри хьэрэм езыгъэщIыжыр, я нэр къыщипхъуауэ узыншагъи, цIыхугъи, напи къафIэмыIуэхужу къалэжь мылъкур зищIысым, дегъэплъ, ауэ сынолъэIу, дыщумыгъэкI, мыбы къэкIуэжхэм хуэдэу бэлыхьыр ттелъу дыкъыумыгъэкIуэж. Укъызогъэгугъэ сэ, уэри псалъэ быдэ къызэт дыщымыкIыну, хьэлыншэ дымыхъуну, Iуэху фIейхэм задедмыгъэхьэхыну, фIым я нэхъыфIыр ди Iэпэгъуу дыпсэуну, насыпкъэ ар. КъедгъащIэ уэрэ сэрэ цIыху нэсым и псэукIэу щытын хуейр, зэрыпсэупхъэр, Iэмалу иIэр гъащIэм къедгъэгъащIэ цIыхухэм. Къыдэхъуапсэу псори, дыгъэпсэу, ди хьэл куэд къащтэнущ ди нэхъыщIэм, уеблэмэ ди хъуреягъыр фIым хуедгъэсэфынщ. Укъызогъэгугъэ фIым сыхуэпсэуну… АбыкIэ псалъэ зэзыта Iэпкълъэпкъымрэ псэмрэ къытехьащ дунейм къабзэу, дахэу, ауэ щехыжым псэр дунейм гуэныхьым и плIэр фIыуэ иришэхырт. Ягъэпэжакъым ята псалъэр тIуми, иджы ящIэжкъым, япэу епцIыжари - Iэпкълъэпкъырат, хьэмэ псэрат?.. Яхуэшэчакъым, мылъкум димыхьэхыу, езыхэм ящыщ куэдым хуэдэу насыпу ар къалъытэ хъуащ, яхуэIыгъакъым къарита насыпыр, гухэлъу къабзэм бэмпIэгъуэ фIэкI къимыхьу къащыхъужри, аргуэрыр гум ирахужащ. Дунейм къыщытехьэкIэ псэ псоми, Iэпкълъэпкъ псоми зэратыр псалъэ – зэрыгъэпэжыну, къызэрытехьэм хуэдэу къабзэу ехыжыну, езыхэр щапхъэу мы дунейм тетыну. Къытохьэри… Я псалъэр жьым ихьам ярейуэ мэкIуэдыж! Псэхэхым и натIэ Къеуфэрэзыхьыр псэхэхым, къилъыхъуэу игу ирихьын. Зыжьэхегъауэ зэ зым, хуимыудIамэ кIэбгъу зыкъещIыж. Зэми, жьэхолъэ нэгъуэщIым, щищIыжууэ къигъэщIыр дыдж. ФIэхъуу псэкIуэд сымаджэр, лажьэншэм и лъэр щIеуд. ЗигъэнщIкъым ауи псэхэхым, ар бжыгъэм кIэлъымыплъыж. И унэIутщи ар гъащIэм, кIэухкIэ хэти щогугъ. Ар дапщэм ихьа я пащхьэ, цIыху дапщэ игъэгуIа, зэхэдз имыщIу ин-цIыкIукIэ игъащIэм зым щымысхьа. ИцIыхуркъым псэхэхым цIыхухэр, я теплъэкIи хузэхэмыху. Хьэфизщ къытехьэмэ дунейм, абы Iэбэрабэурэ къекIухь. Ар псэ зыIуту зытеIэбэм, кIэухыр натIэ яхуэхъуащ. Ужьыхыжарэ упщIыIуауэ, IэмыщIэм илъу ихьыж псэхэм, ар щаIуплъэжыр нэсыжа иужьщ. Зэм хущIогъуэжыр, зэми къокIуэтыжыр, гущIэгъу имыIэр къыкъуокIыжыр. Къыхуэмыарэзыуэ дыкъэзыгъэщIар, абы йошхыдэ куэдрэ Тхьэшхуэр. Езыми, Тхьэм и нэфIыр къилэжьын мурадкIэ, ирешэж и пащхьэ цIыхум я нэхъыфIу ягъэIуар. Тхьэр къытохьэжри, аргуэру, псэхэхыр Iэбэрабэу къытхохьэж. Ди щхьэфэм къытеIэбэм фIэкъабылу, тхьэкIумэр тегъэхуауэ дякум щоджэрэз. Къеуфэрэзыхьыр псэхэхым, къилъыхъуэу игу ирихьын… I0.0I.20I5. Насыпыр Iэрыхьэ - IэрыкIщ Содыж аргуэру зы насып, ар щымысхьыжу ячэтхъащ. Содыж сегугъуу, къэзгъэзэжу, насып щIэрыщIэу зэрахуэупсар, содыж цIыху гъащIэ, цIыху насып, къелъэпэуащи къэсщтэжауэ. ЗгъэщIэрэщIэжу, сегугъупэу, щхьэфэдыр си гум къысхуимыщтэу, содыж зи уасэр ящыгъупщэжар. ЯщIэжкъым ахэм зэман ипэ насыпым зэрыщIэхъуэпсар, тхьэхуэплъэ хъуауэ жэщ хъурейкIэ, а зым щIэлъэIуурэ щыIурихар. ПщIыхьэпIэу ялъэгъуамкIэ псэууэ, нэгъуэщIхэр яфIэнасыпыфIэу, узэIэбэкIыжмэ, улъэIэсыну, жыжьэкъым щыщIэхъуэпсар. И фIэщ ящIати Тхьэм я лъэIур, къахуэупсащ и къэгъэщIыгъэм. Ар зыкIэ инти а насыпыр, зыпэмыплъауэ къыщIэкIащ. Апхуэдиз тыгъэр къыщамыщтэм, ар мыл яфIэхъури нэпс гуащIэу нэм къыщIэжыжащ. Содыж насып зэлъэпэуар, нэщхъейуэ си куэщI щызгъэхуэбар, содыж гухэлъым и Iуданэ гъуэтыгъуейр къэслъыхъуауэ, содыж, иджы ар едэпщанэ, зырызщ къызыгурыIуар... Мастэ пэ папцIэм а тхьэмыщхьэр иуIащи, игу къыдэмыжурэ йокIуэкI, къэзылэжь гуэрым Iэрыхьамэ, хуэфащэ пщIэр игъуэтыжынт… Содыж сигу мыгъуэу, къыхуэныкъуэм Iэрызгъэхьэну сыхуэпIащIэу. IулIэ Iуданэр хызохыжыр, насып нэщхъейм зэ соплъыжыр, сыхуохъуэпсэжыр си щхьэ, софыгъуэжыр… Хьэуэ, сыщоуэ, абы хуэныкъуэ куэд къыпоплъэ, езгъэIыгъынщ къелъэпэуэху… 24.08.20I2 Анэм и гъатхэ ГъащIэм и бзэр къыщиутIыпщыр гъатхэрщ, гъатхэм хелъхьэ гъащIэм псэ, бзэ Iурелъхьэ псэ зыIутым, щодэрбзэрыр щIылъэм гъатхэр. Зэм гъырнэIуу, зэми къилыдыкIыу нэгур гуфIэу, гъатхэм хэлъщ бзылъхугъэ хьэлым щыщу куэд. И щIыIэр къомыдзакъэу, и гуапэр мейуэ къуиту гукъыдэж, гъащIэм хуегъэщIыжыр гъатхэм гу. Гугъэ щIэрыщIэпсхэм я гулъ пIащэр щызэрытIэпIыкIыу гущIэм, кIапсэлъэрышэ уи мурадыр пищIэжу къэбгъэщIэну пхуиухам. Гъатхэр ещхькъым зым дахагъкIэ, сыщалъхуар гъэмахуэрами солъагъур куэдкIэ сэ нэхъыфIу гъатхэ зигу итхьэщIыкIар, сэ си анэр къыщалъхуар. КуэдкIэ зызогъэщхь а тIур я хьэлкIэ. Си анэр гъатхэщ, гъатхэр гъащIэщ, гъащIэр анэщ, а псор гъэгъа IуданэкIэ зэIущэжауэ, насыпым схухэщыпыхьауэ сегъафIэ гъащIэм сыхиубыдыкIауэ. Илъагъукъым фIыуэ щалъхуа гъатхэр си анэм, абы и анэр гъатхэм IэщIихащ, гуапагъэкIэ ерыщу къысщыхъуами, а гъатхэм и шейтIаныр къытекIуат... Солъагъур куэдрэ си анэр гъатхэм хэгъэу, и нэпсыр IэлъэщI кIапэмкIэ игъэпщкIуу, солъагъур абы лъандэрэ сэ кудрэ гъатхэ жэщым темыпыIэу къызэрешхыр уэшх, и ткIуэпс пIащэшхуэхэр уэсэпсым хигъэпщкIуэжу пщэдджыжьыпэм, си анэм игу хэщIауэ ирех илъэс зытIущым нэблэгъауэ гъатхэр… Зэгуэр сэ гъатхэр сымылъагъужыну си нитIыр нэфу сыкъигъанэм, солъэIур сыкъэзыгъэщIам, хьэфиз сэ псэкIэ симыщIыну, щыIэхукIэ гъатхэ схуихъумэну анэр! Си адэ Къысщохъу си адэр Сосрыкъуэ и зэманым къыхалъхуау, нартыжьхэм ар зэгуэри яхэсау. Ар нарт тхьэмадэхэм я гъукIэгъэсэну, япсыхьу ди зэманым кърата. Ар къащхьэщокIыр хьэлкIэ куэдым, сэ зым и адэми си адэр бгъурызмыгъэувэф. И хьэлыр бгъэунэхуауэ къыщыпщыхъум аргуэру ущыуауэ къыпхущIрегъэдз. Ар къызэралъхурэ ялъытэр къуэфIу, зэрысабийрэ дэлъхуфIщ, къуэшыфIщ ар, щхьэгъусэфIщ щхьэгъусэ зэригъуэтрэ, бын зэригъуэтрэ адэм я нэхъыфIхэм халъытащ. Зэманым уае куэдрэ зищIу, щигъэгужьей къэхъуами си анэр, зэпIэзэрытIу, кIуэцIрыплъу жыжьэ, си адэм и зы псалъэм егъэсабырыфыр жьыбгъэм я нэхъ ерур. Щышынэкъым къэхъукъащIэхэм сигур, сэ жьыбгъэм сымышынэу сыпоув, сригъэсащ си адэм симыкIуэту, си гъуазэу пэжыр сыпсэун. Сопсэу сытету сэ а гъуазэм, сыщIэшынэни къыкIуэмыкI, ауэ зэм-зэмкIэ сыгузавэу си адэ-анэм сахуоплъэкI. Сэ сыхьэзырт пшэрыхь хуэсщIыну гъащIэм, зэманым IурыцIэлъыр изощIэкI, сэ сиIэ псомкIи шыкур щыхуэсщIкIэ гъащIэм, солъэIу сыт щыгъуи дыкъэзыгъэщIам къытхуихъумэну быдэу адэ-анэр. Дэлъху ЩIалэфIу щыIэм сэ изоплъыр уи фэ, уахузогъадэ зи цIэр яIэт псом, нэгъуэщI анэм укъилъхуа къысфIэщIу, сыныплъохъур сызэрыхъурэ балигъ. ЯщIыр куэдрэ уи хъыбар унагъуэм, куэдрэ си анэр ныпкIэлъогъ, уэ укъытхуэхъуамэ гъащIэр нэхъыфIыну сэ къыщохъу иджыри къэс. «Ар къыдипэсакъым, Тхьэшхуэм», жиIэм анэм, адэм щэхуу и щхьэр ирехьэх. ХъыджэбзиплIым я етхуанэу къалъхуа щIалэм жэмыхьэту захуэпщIат къурмэн унагъуэм. УияужькIэ а унагъуэм къахэхъуа сэ, къэхъурт уи фэ къыщызаплъ, уи цIэджэгъухэм щэхуу сакIэлъыплъу сэри куэдрэ дэлъхум сыщехъуапсэ къысхуихуащ. Зи ишэгъуэ хъуахэм сэ сахоплъэ, упсэуамэ, уи къэшэгъуэ хъуат. Нысэ дэ тхуэхъунур къыщыхэсхкIэ, гугъу зезгъэхьыурэ сэ сыпхухоплъыхь, ауэ мэлыIычым хэт хуэбгъэфэщэн… Тхьэшхуэрщ зыщIэр си адэм и гум щыщIэр, ар сыт щыгъуи хуэдэу щымщ, къытIуплъамэ гуапэу къытхуогуфIэр, ауэ сощIэр быдэу сэ, абы щэхуу куэдрэ Iэ ныделъэ уи сыныщхьэм. Адэм дежкIэ къуэр и къуэпс мыгъужщ, ар мыхъуру яIэщ лъэпкъым, абы сиадэр куэдрэ йогупсыс, сэри сигу укъыполъадэ куэдрэ. Уэрэ сэрэ ди псэугъуэ, щызэтехуакъым дунеягъэм, уэрэ сэрэ зы лъэбакъуи зэдэтчакъым ауи. Ауэ сэ укъэслъэгъуамэ, сфIощыр миным уахэсцIыхукIыну, сэ си дэлъхур къэзмыцIыхумэ, хьэфиз гъащIэр тыхь схуращI. Сегупсыскъым укъыдимыпэсауэ, сегупсыскъым гъащIэр умыдауэ, сегупсыскъым упсэуамэ, уэ IэщIагъэу къыхэпхынкIэ хъуну псом. Сэ сызэгупсысу сызыхущIэкъур си дэлъу МелыIычым сызэрыхуэфэщэнщ. КъызэхъулIи сэ къызэмыхъулIи щыIэщ, ахэм дауи уэри уащыгъуазэщ, сэ сызщымыгъуазэу щыIэ хъуам, сыщогугъ си ерыскъыр сыухыу нэр щызэтеспIам уэ сыныпIуплъэну, зэхэсхыну уи зы псалъэ. СызэрыпсэуамкIэ уэ ухъуну арэзы сэ сыщогугъ, хэтыт зыщIэр уэ уиIамэ гъащIэ, сэ сыкъамылъхунри хэлъагъэнщ…. Къысхуэгъэгъу - Хуит сыкъэщI ухэсшэну уэ си пщIыхьым, узгъэхьэщIэну узгъэфIэну… Хуит сыкъэщI къэзгъэщIым ухэсшэну, зы гъащIэ дэ къыздэдгъэщIэну. Хуит сыщI уэр щхьэкIэ сыпсэуну, къихьыхукIэ си къарум успIыну IукIэ. Хуит сыщI сэ сыхуейхукIэ услъагъуну, нэр къызэтесхыну сыхуэпIащIэу махуэщIэ къалъхум дызэщIыгъуу дыщыпсэуну Хуит сыщI закъуэ… -УзощIыр хуит сыхэпшэну уи пщIыхьым, сыбгъэхьэщIэну итIанэ сыбгъэфIэну. Ухуитщ сэр щхьэкIэ упсэну, уэ зэрыплъэкIкIэ сэ сыбгъэпсэуну. Сыкъэлъагъу, къызбгъэдэт, махуэщIэм дыщыгъэгуфIыкI сыбдохъур арэзы, насыпым щIэмыхъуэпсыр хэт?.. Гъуэбжэгъуэщ нурщ, мы гъащIэр, ЕтхъунщI зэманым си фэ пIащIэр, сощIэж укъызэрызэлъэIуар, лIы псалъэ къызэрызэптар… Куэд щIауэ сыхэтыжкъым сэ уи пщIыхьхэм, сурихьэщIэжкъым, сыбгъэфIэжкъым. Зы гъащIэ здетхьэжьами, къэбгъэщIым уэ нэгъуэщIщ щIэупщIэр. Уэ сэркIэ куэдрэ упсэуакъым, сыбгъэпсэунууи уелIэлIакъым ... - Хуит сыкъэщIыж, иджы сэращ нолъэIур, афIэкI си нэгум укъимыплъэ, лъэIуэныр нэхъ къозэгът. Си щIыб къызэрызгъазэу ущIогъуэж, си фIыгъуэ псори абыкIэ тет фIэкI умыщIэну уоджэрэз. Iэмалу щыIэр схузэтезыпщытыкIа гъащIэм сепсыхь, иджы сэ зысхъуэжащ, мо дыгъэр цIыхухэм къафIэбдыгъурэ уи Iэгур щIижьыкIауэ къысхуэпхьми щэхуу, къыпхуэзгъэгъунукъым, къысхуэгъэгъу… Уи гъащIэм уи IэкIэ сыщыбукIыжащ, уэр щхьэкIэ сыщыIэжкъым… Насып Къыпехыр бжьэм си гъащIэм фо, третхыкI ар дыдэм тхакIуэм усэ, страхыр щапхъэ къызэщхьыну хуейхэм, уеблэмэ а псом хуэхейхэм. Схузэхелъхьэр шыпсэ бзу макъ гуакIуэм, епэрымэм сыкъеуфэрэзыхь, фIыгъуэу щыIэр сэ къызащIылIауэ, зыкъысщамыгъэнщIу насыпыфIэ сащI. СыкъаIэтыр хьэндрабгъуэ миным, сыщIэхъуэпстэкъэ–тIэ сэ уафэгу нэхъ иным. МащIэу погуфIыкIри дыгъэ езэшам яхуещI унафэ пшэ гуэрэну къыспежьахэм, дыгъэ бзий гуапэр я Iуданэу, дэрэжэгъуэр сэ абыхэм схухадыкI, зы нэрынэ къэс егугъуу, данэм бостейщIэ сэ къысхухадыкI. КIуэда псор къысхуагъуэтыжыр, сымыщIар къызаIуэтылIэ, щэхуу щыIэр къыздагуэшыр, шыру щыIэр сагъэлъагъур, къамылъхуахэм сыхагъаплъэ, сигу къэкIар къызагъэхъулIэ, хъуну щыIэр къызбгъэдалъхьэ, хьэлэлагъкIэ сфIызэпоуэ, гъащIэр шыпсэм хагъэгъуащэ, насыпыфIэхэм сыхашэ…
{ "source": "adygabza.ru", "id": "zalina.txt" }
ЗэзыдзэкIар НэщIэпыджэ Замирэщ Сэ аргуэру жызоIэ уэ уи цIэр Жэщ даущыншэм сыхэту, Вагъуэхэр щызэхуэс щIыпIэм Мазэм и нэхур щытепщэм Тхьэмпэ утхъуахэр щхьэукъуэу Лъэс лъагъуэм зыщрагъэщIым. Абдежым зыкъысщохъужыр Макъымрэ узымрэ сыкъагъэдзыхэу Хъийм икIа сыхьэтым сыхуэдэу Щхьэхуимыту блэкIам сыхуэусэу. Сэ аргуэру жызоIэ уэ уи цIэр Жэщ даущыншэм сыхэту, Иджы жыжьэущ ар къызэрыIур, Апхуэдэ зэи къэмыхъуауэ. А уи цIэр вагъуэхэм адэкIэщ, Уэшх езэшам хуэдэу нэщхъейуэ. ФIыу усхуэлъагъуну пIэрэ аргуэру, Зэгуэрым зэрыщытам ещхьу? Хьэмэрэ къуаншэ мы си гур? Си лъагъуныгъэри дауэ хъужыну, Пшэ гуэрэн хужьыр бзэхыжмэ? Щэхуу, хьэмэрэ нэхуу? СщIэркъым. КъэсщIэфу щытамэ ар вагъуэкIэ, Шынэ-шынэм хуэдэу къыпысчу! Шынэ-шынэ - удз гъэгъа лIэужьыгъуэ, урысыбзэкIэ "ромашка" жыхуаIэращ.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "zamiralor.txt" }
Вакъэ плъыжь цIыкIухэр Еуэри лъагъугъуафIэрэ фо цIыкIуу зы хъыджэбзыфI псэут. Ар апхуэдизкIэ тхьэмыщкIэти, гъэмахуэм лъапцIэу, щIымахуэм - и лъакъуафэр тезых пхъэ вакъэжькIэ къикIухьын хуей хъут. Къуажэм вакъэ ищIу дэс нанэр тегушхуэри зэрыхуэIэзэу хъыджэбз цIыкIум шухьэ плъыжь кIапэм вакъэ плъыжь цIыкIуитI къыхухидыкIащ. Вакъэхэр Iушэнашэт, ауэ фIы игу илъу зыда нанэм ахэр хъыджэбз тхьэмыщкIэ цIыкIум тыгъэ къыхуищIащ. Карент а цIыкIум и цIэр. Вакъэ плъыжьитIыр и анэр щыщIалъхьэ махуэ дыдэрат къыщратар. Жэназым урихэтыну къезэгъыщэу пхужыIэнтэкъым ахэр, ауэ хъыджэбз цIыкIум нэгъуэщI иIэтэкъыми лъапцIэу иувэри и анэр щыдахым кIэлъыкIуэтащ. Абдеж ирихьэлIэу къуажэм пасэрей гуимэ блэкIт зи ныбжь хэкIуэта гуащэ гуэр ису. Гуащэм хъыджэбз цIыкIур къыщилъагъум, попым къелъэIуащ: - КхъыIэ, сэ къызэфт хъыджэбз цIыкIур, зыхуей хуэзгъэзэнщ. Карен ар и вакъэ плъыжь цIыкIухэм я фIыгъэкIэ къэхъуауэ къыфIэщIт. Ауэ гуащэм ахэр Iуплъэгъуейуэ къыщыхъури ягъэсыну унафэ ищIащ. Карен яхуапэри еджэкIэрэ дэкIэрэ ирагъэщIэн щIадзэ. ЦIыхуу хъуам ар лъагъугъуафIэу къалъытэт, ауэ гъуджэм кIэ имыIэу «Уэ улъагъугъуафIэ къудейкъым, утхьэIухудщ»,- къыжриIэт. Абы ирихьэлIэу пащтыхь гуащэм щIыналъэр къызэхикIухьу къожьэ и хъыджэбз гуащэ шыррb и гъусэу. ЦIыхухэр сэрейм деж къыщызэхуэсат, Карени яхэту. Пащтыхьыпхъур бостей хужь щыгъыу щхьэгъубжэм къыIуувауэ цIыхухэр зригъэплът. Абы тажи щхьэрыгътэкъым, тепхъуэ кIыхьи телътэкъым, ауэ и лъакъуэ цIыкIуитIыр телъыджэу лъахъстэн вакъэ плъыжь цIыкIуитIым итт. Ар гъунэгъуу пхухуэгъэдэнутэкъым Карен вакъэщI нанэм хуидауэ щытахэм. Дуней псом теттэкъым мы вакъэ плъыжь цIыкIуитIым нэхърэ нэхъ хъуапсэгъуэ! Карен хэхъуащ, члисэм кIуэн щыхуей ныбжьым ихьащ. Абы бостеищIэ хуадауэ вакъэщIэ къыхуащэхуну загъэхьэзырт. Къалэм вакъэщI нэхъыфI дыдэу дэсыр къакIуэри абы и лъакъуэ цIыкIухэр къипщащ. Гуащэмрэ Каренрэ абы и лэжьапIэ пэшым щIэст. Абдеж дыдэм абдж зыIугъэлъэда дэлъхьэпIэ щытт вакъэ дахэ цIыкIухэмрэ фэ шырыкъухэмрэ къыдэцIуукIыу. УемыхъуэпсэнкIэ Iэмал иIэтэкъым абыхэм, ауэ гуащэм и нэхэм щIагъуэу ялъагъутэкъыми, игу зэрыхэхъуэшхуэ щыIэтэкъым. Вакъэхэм яхэтт пащтыхьыпхъум щыгъахэм хуэдабзэу плъыжь цIыкIуитI. Сыту дахащэт ахэр! ВакъэщIым къажриIащ ар уэркъ гуэрым и пхъум хуида щхьэкIэ зэрыхуэмыхъуар. - Мыр къызыхэщIыкIар плъыжьу ялэжа фэщ? аракъэ? ЗэщIолыдэри..? – щIэупщIащ гуащэр. - НтIэ, мэлыд! – жиIащ Карен. Вакъэ цIыкIухэр щрагъэтIагъэ, хуэхъуу къыщIокI, къащэху. Гуащэм ахэр зэрыплъыжьыр ищIатэмэ, игъащIэкIэ ахэр щыгъыу члисэм игъэкIуэнтэкъым, ауэ аращ Карен ищIар. Карен здэщытын хуейм деж увыну члисэм щыкIуэцIрыкIым, абы цIыхуу щIэтыр зэплъыр хъыджэбз цIыкIум и лъакъуитIрат. Езыращи, члисэм фIэлъ сурэтыжьхэм ит щихъхэр нэгъунэ и вакъэ плъыжь цIыкIуитIым къеплъу къыфIэщIт. Уеблэмэ попым и Iэр и щхьэм къытрилъхьэу, ар иджы хъыджэбзышхуэ зэрыхъуам, диным къыхуигъэув къалэнхэр игъэзэщIэн зэрыхуейм, цIыхур Тхьэм псэкIэ зэрыпэгъунэгъур къыщыжриIэ дакъикъэми зэгупсысыр и вакъэхэрат. Члисэм щIэт мэкъамэ хэIэтыкIамрэ сабий гу къабзэхэм я зэчырымрэ ихъуреягъыр зэщIищтат, я унафэщI дадэри абыхэм кадежьут, ауэ Карен и щхьэм илъыр и вакъэ плъыжьитIрат. Члисэм къыщыщIэкIыжым гуащэм къыжраIащ Карен вакъэ плъыжькIэ къызэрыкIуар. Гуащэм ар игъэемыкIуащ, вакъэ плъыжькIэ члисэм укIуэ зэрымыхъунур къыгуригъэIуащ, дяпэкIэ, тIэкIу лэжьами, и вакъэ фIыцIэхэмкIэ кIуэну унафэ къыхуищIащ. КъыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэри члисэ кIуэгъуэт. Карен и вакъэ плъыжьхэм еплъащ, итIанэ фIыцIэхэм, итIанэ аргуэру плъыжьхэм еплъыжри ахэр щитIэгъащ. Махуэр дыгъэ къепсу уэфI дыдэт. Карен и гуащэм бгъурыту губгъуэм пхыкI лъагъуэмкIэ ирикIуащ, сабэ защIэ хъуахэщ. Члисэ гупэм щIакъуэ баш иIыгъыу дзэм къыхэкIыжа зауэлI гуэр щытт жьакIэ гъэщIэгъуэн, тхъуа нэхърэ тхъуэплъ нэхъ хужыпIэну тету. Абы щIым нэс зигъэщхъри гуащэм къелъэIуащ я вакъэхэм сабэ трилъэщIыкIыну хуит къищIыну. Карени и лъакъуэ цIыкIухэри хуишиящ абы. - Мыдэ мыхэр удж урихэтыну зэрывакъэ бэлыхь!- жиIащ зауэлIым. – ЗыфIыгъ къэфэн щIэвдза нэужь! Ар жиIэри и лъэгум IэгукIэ къыщIэуащ. Гуащэм абы сом иритри Карен къыдэщIыгъуу члисэм щIэхьащ. Аргуэру къекIуэлIа псори Карен и вакъитIым къеплът, сурэтхэм ярытхэри къыхэту. Карен тхьэлъэIупIэм лъэгуажьэмыщхькIэ бгъэдэтт, дыщэ тепщэчыр и Iупэм къэсат, езыр и вакъэ плъыжьхэм тегупсысыкIыфтэкъым. Тепщэчым ит псым нэгъунэ и вакъэ плъыжьхэр хэсыхьу къыфIэщIт хъыджэбз цIыкIум. Зэчыр жиIэнуи духьэ лъапIэр къибжынуи игу къэкIыжакъым. ЦIыхухэр члисэм къыщIокIыж. Гуащэри гуимэм итIысхьэжащ. Карен дэкIуеипIэм и лъакъуэр тригъэувэ пэтрэ щIэхьэпIэм деж щыта зауэлIыр къыбгъэдэхутащ: - Мыдэ мыхэр удж урихэтыну зэрывакъэ бэлыхь! Карен хуэмышэчу лъэбакъуэ-лъэбакъуитIкIэ къафэ хуэдэу ежьащ. Абдежым и лъакъуэхэр ежьэри къэфэн щIадзащ вакъэхэм къару нэрымылъагъу гуэр яхэтым хуэдэу. Карен къафэм кIуэ пэтми нэхъ жыжьэ ихьт, члисэм блэкIащ, ауэ къэувыIэжыфкъым. Шыгухур щIэпхъуэу хъыджэбз цIыкIур IэплIэкIэ гуимэм иригъэтIысхьэжын хуей хъуащ. Карен щыст, ауэ и лъакъуэхэр къэувыIэжыфтэкъыми гуащэми зэрэ-тIорэ жьэхэуащ. Вакъэхэр щиха нэужьщ и лъакъуэхэр щыбэяуар. (къыкIэлъыкIуэнущ) Принцессэр джэш хьэдзэм зэрытелъар ЗэзыдзэкIар Нало Заурщ Еуэрэ-еуэрэт, жи: зы принц, пащтыхьыкъуэ, псэути, абы игу къохьэ принцессэ, пащтыхьыпхъу, къишэну, ауэ принцессэ нэс фIэкIа идэртэкъым. Мы дуней псор къикIухьащ абы, итIани игу ирихьын хуэдэ къашэн игъуэтакъым. Принцессэр гъунэжт, ауэ принцессэ нэсымрэ нэпцIымрэ хузэхэгъэкIыртэкъым. Псоми зыгуэр къахуэтт. Арати, принцым и щхьэр къыфIэхуауэ къэкIуэжащ – принцессэ нэсым Iейуэ хуэпабгъэрт ар. Йоуэри, зы пщыхьэщхьэ гуэрым уэлбанэ къохъу: уафэр мэгъуагъуэ, уафэр мэхъуэпскI, уэшхыр уридэкIуеину къожэх. А зэманым къалэ куэбжэм зыгуэр къытоуIуэри, пащтыхьыжьыр макIуэ Iуихыну. Iуехри – куэбжэпэм принцессэ щытщ. Ауэ сызижагъуэн и махуэт абы и теплъэр. Уэшхыпсыр щхьэцым къыпож, и босцейм къожэхри, и туфлъэ лъапэм толъадэр аби, лъэдакъэмкIэ йожэхыж. ИтIани абы принцессэ нэсу щиIуэжырт. «Деплъынкъэ!» - игу къокI пащтыхь гуащэжьми, цIутI жимыIэу хъыджэбз лэгъунэм макIуэ. ГъуэлъыпIэм тепIэн-щIэлъыну илъыр къредзри, пхъэбгъу пцIанэм джэш хьэдзэ трелъхьэ, ар хьэуазэ уэншэку пщыкIутIым щIрегъэубыдэри, абы ящIыIужкIэ къыуц уэншэку пщыкIутI гуэр трелъхьэж. Мис а пIэм принцессэр хегъэгъуалъхьэри нэху щыху хегъэлъ. Пщэдджыжьым йоупщI: «Дауэ ужея?»-жеIэри. - Ах, сыжея мыгъуэ сэ! – жи принцессэм.- Жэщ псом си нэбдзыпэ зэтеслъхьакъым. Тхьэм ещIэ а си пIэм ныщIэхуар! Зы быдэ гуэрым сытелъти, си щIыфэр зэфэзэщу уфIыцIащ. Сызижагъуэн и махуэт ар! Мис абдеж псоми къагуроIуэ ар зэрыпринцессэ нэсыр – хьэуазэ уэншэку пщыкIутIрэ къыуц уэншэку пщыкIутIрэ щIэлъа пэтми, а джэш хьэдзэ закъуэр зэхищIащ. Апхуэдэ зыхэзыщIэнкIэ хъунур принцессэ нэсыращ. Мис итIанэ принцым къешэ ар – иджы шэч къытрихьэжыртэкъым абы принцессэ нэс къызэрыпэщIэхуам. Джэш хьэдзэр музейм иратауэ ноби щIэлъщ, ямыдыгъуамэ. Шэч къытумыхьэ мыр зэрыхъыбар пэжым.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "zaq.txt" }
БжезмыIахэр БжезмыIахэр пызогъаплъэ уэшхым, Къемышхарэ, сызыгъэнэщхъейм. Бжьыхьэ жэщу ар си пщIыхь къыхэшхэм, Уэ сыноджэрт: " кхъыIэ къыдэплъей". БжезмыIахэр къыттещащэрт уэшхыу, Бжьыхьэ жэщым зыри пэдмыдзыжт. Уэшхым-лъапцIэу, ину сыдыхьэшхыу... БжезмыIахэр уэшхкIэ ирикъужт. Бжьыхьэ уэшхым щегъэтыж нэхущым, БжезмыIахэм си деж къагъэзэж. СынолъэIурт: "жей, укъэмыушу", ТIэкIу ди уэшхым дыкъыщыгъэфэж. 31.01.2018. *** Къалэкум псей щагъэщIэращIэ, Зыгуэрым жеIэ: "УмыпIащIэ, Ныщхьэбэ уафэр щыгъэ защIэщ"... Вагъуэхэм я цIэр зызогъащIэ. Гупсысэм псалъэ къытызошыр, КъызэдэIуэхукIэ, къалэр йошыр. Сэ псей щызблэнукъым си пэшым, Зы вагъуэ си гум нэху щегъэщыр. Щlымахуэ пщIантIэм уэс къыщофэ, Мы дуней псор си Iэгум йохуэ. ГукъэкIыж куэбжэр зэIубохри, Уэ щыму уэсым укъыхохьэ. СиIэжыр напIэм щIэзгъэпщкIуахэрщ, УщыIукIыжым жызмыIахэрщ, Зэгуэрым вагъуэхэм зэхахыу, Си щэхуу, уэ зэхомыхахэрщ. Си Iэгум уэсыр йоткIухьыжыр... Уэ щыму пщIантIэм удокIыжыр. Щхьэ си гугъат гухэлъ ядыжу, ЦIэ фIэпщмэ, вагъуэр зикI имыжу?! 12.12.2015. *** Уэ пхуауса гухэлъ уэрэдым Щызэхэпхынукъым си макъ. Тхылъ гуэрым къыдэхуа сурэтыр Щыбогъэсыжыр ди зэхуаку. Гухэлъыр мэхъури мафIэ сахуэ, Гъуэгу бгынэжам ар тыбопхъэж. Абдеж щыIэжкъым къуанши, захуи, Ауэ тхылъ напэм зэ уопхъуэж... Сурэтыр щыбгъэса пэш нэщIым Iугъуэмэ IэфI къыпщохъу къыщIих. ГукъэкIыж гуэрым зыбогъэщIри, Зэманыр пэшым щыIурех. 7.I2.20I5. *** Сыт хуэдэми содэр уафэр, Мы уэшхри, хуейми кърешх. Жьы къепщэмэ, тхьэмпэр къафэу, БжьыхьэкIэр къысщодыхьэшх. Сылъэсми, хощIыр гъуэгум. Илъэсхэм: -Ухэт, ухэт? Уэшх ткIуэпсхэр къишхэу си Iэгум, ЯкIэлъызодзыр: - Гугъуэт! 14.11.15.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "zarema.txt" }
Ди хьэдагъэри нэжэгужэ дыдэт Нобэ аргуэру ди джэгу-хьэгъуэлIыгъуэ сурэтыр ныбжьэгъухэм къыдахыжауэ фейсбукым щызэпаплъыхь. Аргуэру сынысащIэщ жи... Ар къахэсхьэри псалъафэ си ныбжьэгъухэм яхуэхъуащ. Еуэри, си ныбжьыр фIыуэ фIэкIарэ сашэнуи сыпэмыплъэжу сашэ... Си щыпэдэкIуэу щыщыткIэ си щIэщыгъуэнтэкъэ - си щIэщыгъуэт, ауэ си акъыл тIысамкIэ къызгурыIуэрт езгъэлеищи зэрымыхъунур. Гуащэ схуэхъуа цIыхубзыр псоми къацIыхуу, дохутыру куэд щIауэ я къуажэ, я районым шылажьэрти, нысэ къызэрыхуашэжар ягъэхъыбаращ, ауэ ар къуажэм дэсу, сэ къалэм сыщыпсэу-сыщылажьэу дызэпэIэщIэу екIуэкIырти, сыкъэзылъэгъуар мащIэт. Куэдрэ сахэмыхьэжыфми, лъэпкъым нэшхъеягъуэ, гуфIэгъуэ щаIэхэм деж сыкIуэрт. Джэгу зращIэкI ныбжьыщIэхэм щхьэкIэ сыукIытэу, сыкъэзыцIыху гуэрым: "Марэ и нысащIэ цIыкIур флъэгъуа?!" жиIэнт, иригъэжьэнти, цIыкIу дыдэкIи узэмыджэн, нысащIафэ зытемытыщэм унэишэ щIэрыщIэу пхуащIынум къеблагъэ! IэплIэ, хъуэхъу, зэрыцIыху... Нэхъ гугъужыр хьэдагъэхэрат. Мо нэшхъейуэ, хьэдэ изыхауэ щыс фыз гупым гузэвакIуэ сыдыхьауэ сахыхьамэ, аргуэрыжьу: " Марэ и нысащIэ цIыкIур къэкIуащ Iей! Мыра? Уэри плъэгъуатэкъэ? Сэри слъэгъуатэкъым !" ...хьэдагъэр нысащIаплъэ хъужырти, зыр адрейм къриджэурэ къуажэ фызхэм IэплIэ къысхуащIу... Гъынри бжэнри щагъэтыжарэ гуфIэу, хъуахъуэу! "НысащIэ цIыкIур" и напIэр игъалIэрэ къахэпIиикIыу унэкум иту... Ауэ щыхъукIэ а фызыку зи бын балигъхэр сэр нэхърэ фIыуэ нэхъыщIэу е си ныбжьу... Iуэхур кIыхьлIыхь хъуарэ къекIуэкIым ухэгушыIыхьи мыхъуу - хьэдагъэт жи... Си ныбжьэгъухэм деж схуэмышэчу щыстха щыIэщ: "Анджыгуэру сынысащIэ цIыкIущ, ди хьэдагъэри нэжэгужэ дыдэу йокIуэкI ..." Фызыжь ухъуми ущымыгугъ ... Студент сыхъумэ ахъшэ къызэлъэлъэхыну фэкI сщIэртэкъым. Сэ сы-студенту зыщIэу зы цIыху балигъ ахъшэ иIыгъыу зблэкIын хуейтэкъым, къызимыту. Ар къызыхэсхыр ди унагъуэм къыщекIуэкIрат: ди адэм ахъшэ куэду иIыгъыу дэкIырт, зыри имыIыгъыжу къыдыхьэжырт. "Дэнэ апхуэдизыр здэпхьар?!" - жаIэу еупщIамэ, инэхъыбэм :"Мобыхэ я къуэм е я пхъум сыхуэзати естащ. Ар - студентщ! " - жиIэрт. ИкIи благъэ-гъунэгъу жиIэу зэхидзыртэкъым - хэти дэIэпыкъурт, еджэу къищIа закъуэмэ. Ахъшэ зытригъэкIуадэхэм лIыжьи, фызыжьи, нысащIи хэтт (ди адэм лъэпкъым нысэ къыхашамэ, иIэтырт, игъэлъапIэрт, фызыжь е лIыжь лъэпкъым щыщу куэд щIауэ имылъэгъуамэ, и унэ кIуэрти, щIэупщIэрт, зэрыгурыIуэгъуэщи, IэнэщIу зыщIыпIи дыхьэртэкъым...), ауэ сэ нэхъ сигу къинэжыр а зы псалъэрат - студент! ЕджапIэ нэхъыщхьэ ущIэсыным пщIэшхуэ зэриIэр сэркIэ наIуэт икIи къысхуэгъэсыртэкъым школыр (курыт еджапIэр) къэзуухыу еджапIэ нэхъыщхьэ сыщыщIэтIысхьэнур... АдэкIээээ... Къыстратхъуэнущ! Ди адэм езым фIыуэ демыджэу къытхуидэххэртэкъыми, а еджапIэ нэхъыщхьэр арыншами къыспэщылът... Ауэ, мо си школ къэухыгъуэмрэ ди адэм и сымаджэгъуэмрэ зэтохуэри, сэр-сэру еджапIэ нэхъыщхьэм сыщIотIысхьэ, ди анэм "уэ зыр уемыджэми зы ягъэ кIынукъым, узэрезгъэджэни сиIэкъым, " - жиIарэ пэт. Сыт щхьэкIэ? Сэ дяпэкIэт псори къыщыздэIэпыкъунур. Ломоносов жаIэри урысым къуажэм къыдэкIауэ зы еджагъэшхуэ яIащ пасэм. Ар лъэсу ежьэри къалэм нэс кIуат жаIэ, еджапIэм щIэтIысхьэн щхьэкIэ. Зи мыхъу, зэ нэсщ, къанэри, дэсащ къалэм. Сэ седжэн щхьэкIэ махуэ къэмынэу къуажэм сикIыурэ къалэм сыкIуэрт. Сылъэстэкъым, ауэ узижагъуэр еужьэт абы щыгъуэ дэ дызэрызекIуэу щыта автобусхэм... Уи цIэр пщыгъупщэжыху уежьэн хуей щыхъу щыIэу... Къалэм сыдэсу сыригъэджэну ди анэм апхуэдэ зэфIэкI иIэтэкъым. Махуэм а гъуэгупщIэ тIэкIур къызитыфмэ тIури дыгуфIэрт. Иджыпстуи сыпIащэ дыдэкъым, уеблэмэ, сафIэуэдщ, атIэ а зэманым си нобэрей уэдагъым кIилэ пщыкIутх хуэчэмыжу апхуэдэу сыгъурт, си бгым хуэхъун бостеикIэ згъуэтыртэкъыми, згъуэтыр бгырыпхкIэ ерагъыу пезгъэIыгъэу... Сытми, цIыху щыхуэзэр гъуэгурамэ - гъуэгум сытет зэпытт, гущIэгъу нэхъ зыхуащIыр уэдырамэ, егъэлеяуэ сыуэдт, жьым ихьынущ жыхуаIэм сыхуэдэу. СыкъомылъагъункIи Iэмал имыIэу сыкIыхьт. Сызэреджэр зыщIэ куэд благъэми, Iыхьлыми, гъунэгъуми, къуажэгъуми сахуэзэнтэкъэ - сахуэзэрт, ауэ... щыуарэ гъуэщауэ зы закъуэ къахэкIакъым сызыгъэфIэн, сызыгъэгушхуэн. Ди анэм ар зэгуэрым жызоIэ, жызоIэри согъэдыхьэшх: "Уи шыпхъу нэхъыжхьэм сыту уемыупщIарэт зыгуэрым фызэреджэм щхьэкIэ ахъшэ къывита жыпIэу? Азэлыхь, фи адэм хуэдэу ... зи жып ущIа жылэм дэмыса. Мис ар пщIэн хуеящ. ДяпэкIэ укъэмыпцIэн щхьэкIэ зэгъащIэ: уашэми зыми уигъэфIэнукъым, фызыжь ухъуми зыми тыгъэ лъапIэхэр къыпхуищIынукъым..." Ар мис иджы къызгурыIуа си гугъэщ, жьы дыдэ сымыхъу щIыкIэ. Шыдыр шэдым хэувамэ Ди гъунэгъу лIым езым къемыдэIуэжу шыд иIэт, ерыщрэ зричам къыпхуэмыгъэувыIэу, къэувыIамэ - узэгуэудами и пIэм пхуимыгъэкIыжу. Си дэлъхуитIри дзэм дашауэ ди адэр сымаджэти, унагъуэм щIалэ цIыкIу къалэнхэри щызесхьа къэхъуащ, илъэс 13-14 сыхъурт абы щыгъуэ... Шыдыр шыдыгум щIэщIауэ къеIысхырт гъунэгъум, пхъэнкIий иридэсшыну, псы кърисшэну. ЩыщIэпхъуэр къысфIэIуэхужтэкъым - еша нэужь, сэри фIыуэ сыриудэкIауэ, нэхъ щэху хъужырт, ауэ дыкIуэм дыкIуэуэрэ шэд куу дыдэ е куэншыб идзыпIэм и курыкупсэм деж къэувыIэнти, уелъэIукIи, укIийкIи зыпхуимыгъэхъейуэ щытт. Дапхуэдиз дэкIами, абы лъандэрэ шэч къызытезмыхьэжым щыщщ: шыдым хуэдэу зизыгъанэ цIыху щыIэщи, абы фIэкIа Iэмал зимыIэ слъэгъуакъым! Ухуейм - щабэу епсалъэ, ухуейм зэрыкъуаншэр (е и Iуэху нэхъ Iей зэрыхъунур, е а ищIэ-илэжьыр зэрымыхъунур, и цIыху щытыкIэ-и хьэлыр зыми зэремыщхьыр) жеIэ, гурыгъаIуэ, гъэшынэ... и лэжьыгъэм щыщ хуэщIэ, дэIэпыкъу, сымаджэщым лъэфи щIэгъэгъуалъхьэ, и сабийм зэрыхущытым Iей защIэ фIэкI къызэрыримыкIуэнур и нэм хущIэIу, илI щIэзыукIыхьым бгъэдэсмэ зэи и щхьэ къызэрыхуэмыIэтынур жеIэ... Лэжьыгъэ къимылъыхъуэу щысмэ, езыр зыми зэрамыгъэшхэнур гурыгъаIуэ - зыри къикIынукъым. Шыдыр шэдым хэувамэ - хэтынуращ, зигъэпсэхуу, гупсысэу... Хырырет. P.S. (Раst'a Ships)... Е и гъусэу ухэтыну ухуеймэ - уэри хэт. Гъунэгъу шыдыр и пIэм сэ схуигъэкIыжыртэкъым, - лIыжь е щIалэ цIыкIу блэкIыу къытхуэзамэ, ерагъыу ирагъэжьэжырт.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "zarinakan.txt" }
*** Щхьэхуиту, гупыкIыгъуафIэу Дунейм ухущыту… ЩытыкIэ зэпэщIэхахэм уащыщтэми, УикIэрэхъухьыу… Сыту фIы упсэуну! ИтIанэми: игу къомыбгъэну УщелъэIукIэ (Тхьэм), теутIыпщхьауэ, Щхьэхуиту! Зэран къомыхьыну яужь уиту… ЗыгуэркIэ зыгуэрым Шэч къытепхьами, Утегушхуэфрэ ущхьэпрыкIыу, Дзыхь хуэпщIрэ Дзыхь зыхуэпщIыжу. Зи пIалъэ къэсам ущыхуэсакъкIэ, Ар пIэщIэкIыныр къызэрыблагъэр Уигу къомыгъэкIыу… Телъыджэ? КъызэрыгуэкI? УщIэмыупщIэ, Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, УпщIэншэуи Жэуапыр къокIуэри. УтемыплъэкъукI къудей… 2006 *** Умэзэхауэ уэгу къыпщхьэщытыр Уэ къыпхуоплъых, къалэ щэху. КъешыхьэкIащ уи чылисащхьэ папцIэхэм Зи пащтыхьыгъуэ икIахэм Я нэгу щIэкIар. Уэшхым кърилъэсэхрэ Мывэлъэгу джафэм КъалъэIэса нэужь, Хэти зэдаищ уи щэхухэр, Сэри схузэIухащ. Прагэ, 2006 *** Сызыхуейр фIэсщынущ зыхэсщIэм. Сызэрыхуейуэ псалъэхэр зызогъэзахуэ. Зэм факъырэ хьэфизу сокъуз, Зэм къызокIутри, Къуалэбзум зэщIащыпэ… Сыту сфIэфI! Хьэрхуэрэгъу Къысхуэхъуну хуейуэ Утыкум къиджэразэ ныбжь закъуэтIакъуэхэм Сахуэгъэзащ! Гу ялъыстэрэ сыригузавэу Щыщытар щыIэжкъым. ЩыIэр сэращ. ЗыхэсщIэмрэ къызэрысIуатэмрэ Якум къыдэнэ жьыбгъэм Сошэсри – макIуэ-мэлъей!.. 2006 *** КъызэплъэкIи еплъэкIыж Гу лъыптамэ блэкIа махуэм. ГъащIэ къуэпсхэр зэрымахэ, Псэр аргуэру зэрыхъуж!.. КъызэплъэкI, зэщIэувыIыкI, Укъэщтарэ зы жумыIэу, Зыми и цIэ къыпхуимыIуэу, Къызэроджэми уэ пыкI. НапIэзыпIэм хъу нэгъуэщI, НапIэзыпIэр мэхъу зы гъащIэ. Уэ ухэтми зэгъащIэ, ГъащIэр мащIэщ, гъащIэр кIэкIщ… 2002 *** Гугъэр нахуэщ, гугъэр нэхущ. Псэм егъуэтри, зеущэху. Зэм-согугъэ, зэм – согыз. Псэм зешыIэ, псэр мэуз. Дэнэ, си псэ, укъикIа? Пшагъуэ Iув укъыхэкIа? Си щытыкIэр схуэзыхъуэж, Укъыщежьэр къызощIэж. Гугъэм гъуэгур егъэнэху. ГъащIэм си псэр егъэунэху… 2002 *** Сыту тыншу сежьэжрэ, ди Тхьэ! КъызэзнэкIыр гу дыркъуэ дамыгъэщ. IупщIу си IэкIэ ар къызэристхъэу Гъуэгур махуэ схуэхъуну си гугъэщ. Ягъэ кIынкъым тэлайкIэ зысIэжьэм, Иджыпсту сыхуэныкъуэщ гулъытэ. Иджыпсту дуней псом сыпэIэщIэщ, ИкIи ар сэ схуэмыдэу солъытэ. ДэкIмэ тIэкIу къэблэгъам сыIущIэнущ. Жэп щIыхуфэу гупсысэр къыстохэ. Пшэплъыр хуэмурэ къыщызэщIэнэм Сэ аргуэру гъуэгущхьэм сытохьэ. 1997
{ "source": "adygabza.ru", "id": "zarinausahar.txt" }
Кавказ зауэмрэ адыгэшымрэ Адыгэ шыбгъэрыкIуэм и псынщIагъыр зыхуэдэр къэбгъэлъэгъуэн папщIэ, псалъитI-щы урикъунукъым. Европэм и дзэ нэхъ хахуэ дыдэми ар къызэрымыкIуэу шынагъуэу къыщымыхъункIэ Iэмал иIэкъым, сыту жыпIэмэ, уафэхъуэпскIым хуэдэщ ар. Шымрэ шумрэ апхуэдизкIэ псэр ятхьэкъуу гъэсахэщи, ящIэр цIыху Iэпкълъэпкъым хузэфIэкIыну уи фIэщ хъуркъым. Адыгэ зауэлIым зэикI зитыркъым икIи зы гъащIэ хъуаскIэ фIэкIа и псэм къыхэмынэжыху мэзауэ. Спенсер Эдмонд, инджылыз уэркъ. I836 гъэ Адыгэ шуудзэр гупуи зэбгрыдзауи мэбгъэрыкIуэ. Япэрей шэр зэраутIыпщу, шухэр сэшхуэ къихакIэ биидзэм пэщIоувэри, парфянхэм ещхьу, щIэпхъуэж нэпцI защIурэ, бий хутыкъуар укIыпIэм ирашэ. Дгъэунэхуахэм къагъэлъэгъуащ зи щIыб къэзыгъэза адыгэр икIуэта бийуэ плъытэ зэрымыхъунури, адыгэ шуудзэр зыпэмылъэщын шуудзэ лIэужьыгъуэ зэрыщымыIэри. Броневский Семён, къэзакъ генера. I823 гъэ Урыс сэлэтхэм я хьэлщ бийм иджыри куэдкIэ пэжыжьэу, фочхэр ягъэуэн щIадзэн. Абы Iуэхур лъэныкъуитIкIэ зэIегъэхьэ: япэрауэ, шэ куэд ягъэкIуэд, ахэр къепшэкIыну гугъу дыдэщ; етIуанэращи, я мафIэр бийм къыфIэIуэхукъым. Куэдрэ уолъагъу адыгэ шухэр урыс фочауэхэм гъунэгъубзэу ябгъурыту жэхэу: зэрыгъэкIийм ябгъэдэкIуатэхэурэ, абыхэм зэ илъыгъуэм, шэ къателъалъэр къафIэмыIуэхуу, шыр щIагъапхъуэри гъунэгъубзэу зыбгъэдыхьа бийм траубыда фочыр блэмыукIыу ягъауэ, зэуэри тыншу къыхацIыхукI офицерхэрщ. Дэ зызэрыдгъэтынш цивилизацэм и тыгъэхэр зэзымыпэс адыгэ шууей хъыжьэхэр нэгъэсыпауэ узэдахэщ, гъунэгъухэм драгъэкIуэкI зауэ-банэхэм быдэу ипсыхьарэ хахуэхэу. Зы унафэм щIэзыгъэувэфын пашэ къахукъуэкI хъумэ, абыхэм Урысей Ипщэм къыщагъэхъуфынур уи нэгу къыщIэбгъэхьэххэмэ, уи щхьэфэцым зеIэт. Купфер Адольф, урыс щIэныгъэл. I830 гъэ Къэбэрдейхэми, шапсыгъхэми, Псыжь адрыщI щыпсэу адрей адыгэ жылагъуэ псоми я шуудзэхэр йофIэкI слъагъуну къысхуихуа шуудзэ псоми. Адыгэм и щыгъыныр, хъурыфэ пыIэм щегъэжьауэ лъейм нэс, и Iэщэм ещхьу, зэрыщыту шу зауэм хуэщIащ. Уанэр тыншщ икIи псынщIэщ, мыхьэнэ зиIэращи, тхьэмахуэ бжыгъэкIэ телъкIи, шым и фэм егуауэркъым. И нитIым хуэдэу ехъумэ шыр адыгэм. Ар зейм Iэсэлъасэу йодаIуэ, и къаджэ макъ зэрызэхихыу, бгъэдолъадэ, хьэм ещхьу, и гур зыкIэрыпщIа шум папщIэ сыт хуэдэ гугъуехьи ешэч. Адыгэ шыфIыр мафIэми псыми щышынэркъым. Адыгэхэм шыгъэцIыв къагъэщхьэпэркъым, щIопщ псыгъуэ цIыкIу яIыгъщ и чынутIтхьэмпэр фэ шыхьам къыхэщIыкIауэ, абыкIи шым теуIуэурэ ягъэшынэу аращ, армыхъумэ зыри зэрыхуамыгъэузыным иужь итхэщ. Ахэр зэрегупсысымкIэ, къалмыкъхэм е тэн къэзакъхэм ещхьу, шым и лыр шыгъэцIывкIэ е щIопщ пхъашэкIэ бгъэузыным фейдэ закъуи къихьыркъым, шыр къарууншэ ищI фIэкIа. Езыхэм зыгуэр къатеуауэ зыщахъумэжым и деж, адыгэхэм щIыпIэм къуит Iэмалхэр губзыгъэу къагъэщхьэпэ. Зы IэбэгъуэкIэ узэрыщыуэу, адыгэр уафэм къехуэхам хуэдэу уи пащхьэ къихутэнурэ и удыныр къыптехуэнущ. Абыхэм замыгъэпсэхуу бийр ягъэпIейтей, ауэ езыхэм зэзэмызэххэщ зыщаукъуэдия щIыпIэр щахъумэр, быдапIэм дэмытмэ. УщикIуэткIи адыгэхэм егъэлеяуэ уахуэсакъын хуейщ, сыту жыпIэмэ, бийр щрахужьэкIэ ахэр хъийм йокIыпэ. Торнау Фёдор, урыс тIасхъэщIэх. I836 гъэ Куэдрэ къэхъуащ адыгэ шуудзэхэм зы жэщым верстищэрэ тIощIрэ, щэрэ щэщIрэ, щэрэ щэ ныкъуэрэ щакIу. Абыхэм яшхэр кIуэрыкIуэм тету лъэсыр зыдэмыхьэфын къыпфIэщI Iуащхьэ задэхэм докIуей икIи къох. Абы къыхэкIыу, бгырыс ирахужьар зэи еплъыхыркъым, ипэкIи плъэркъым. И гъуэгур къуэ гуэрым къызэпиупщIмэ, е и шыр щыхупIэ куу дыдэ елъэн зэрыхуейм игъэгузавэу гу лъитэмэ, адыгэм и щIакIуэр зытрех, шым щхьэрепхъуэри «Алыхь!», «Алыхь!» жиIэу кIийуэрэ метр пщыкIутху-тIощI зи кууагъ щыхупIэм долъэ, нэхъыбэм тIуми къащымыщIIауи къыдокIыж. Дюма Александр-адэр, франджы тхакIэ. I859 гъэ Бгырыс шуудзэр ди шуудзэ зэгъэпэщахэми къэзакъхэми куэдкIэ йофIэкI. Ахэр шым тесу къалъху жумыIэ закъуэмэ, зэрыцIыкIурэ шы тесыным апхуэдизкIэ есауэ къотэджхэри, егъэлеяуэ IэкIуэлъакIуэхэу, шу гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпачыну къатемыхьэлъэу къохъу. Шы зэракуэдым къыхэкIыу, абыхэм къарурэ жанагърэ зыхэлъ, шэщым щымыувыIа шы псынщIэхэр нэхъ къащтэ. Абыхэм я мащIэкъым гъэмахуэ махуэм пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэ я зэхуакум верстищэрэ ныкъуэрэ зыкIуфын шыхэр. Европэм ар я фIэщ щыхъунукъым, ауэ щыхъукIэ КъухьэпIэ Азие псом ар зыгъэщIэгъуэн ущрихьэлIэнукъым. Вельяминов Алексей, урыс генерал-лейтенант. 1835 гъэ. Адыгэ шуудзэ уардэр урысхэм напIэзыпIэм къытеуэрти я къурш бгъэдыхьэпIэншэхэм зыщигъэпщкIужырт. Аргуэру нэхъыбэжрэ нэхъ лъэщыжрэ хъауэ къыкъуэкIыжхэрти, цIыхурэ Iэщэрэ куэд дыдэу здахуу, урысхэм зыщахъумэж гъунапкъэр ягъэпIетей зэпытт, Скасси Рафаэль, урым сатуущI. I8II гъэ Адыгэхэр шу хъыжьэхэщ, шабзэхэр, шабзэшэхэр, бжыхэр я Iэщэщ. Ахэр шым щытескIэ апхуэдизкIэ хахуэхэщ, апхуэдизкIэ тегушхуауэ урахужьэри, зумытыну Iэмал къыпхуагъанэркъым. Витсен Николас, нидерланд къулыкъущIэ, лъахэхутэ. I665 гъэ Адыгэшхэр егъэлеяуэ лъапIэщ. Ахэр лъагэщ, бэшэчщ, къарууфIэ дыдэщ, щешаи щемышаи тэмакъкIыхьхэщ. Шыщхьэр тIэкIу къуаргъыпэм ещхьщ, инджылызышым и теплъэр мащIэу уигу къагъэкIыж. Нэхъ цIэрыIуэхэм хабжэ щолэхъумрэ бэчкъанымрэ. Мы хэкум иджыри нэхъыфIыжу шы гуэрхэр иту жаIэ, я зым уасэу пщылIий щIату. Пейсонель Карл, франджы къулыкъущIэ, зыплъыхьакIуэ. I757 гъэ *** Бгырысхэм яшхэр егъэлеяуэ бэшэчхэщ, псом хуэмыдэу адыгэшхэр. Абыхэм ику ит лъагагъ яIэщ, я лъакъуэр быдэ дыдэщ. Сыт щыгъуи мывэм хэту къакIухь, итIани нал щIалъхьэркъым. Мы шыхэр бгым уризэпрыкIыну фIыхэщ: зэи ешхэркъым, нэгъуэщI мыхъуми, зы лъакъуэр здагъэувын ягъуэтмэ, зэикI цIэнтхъуэнукъым. Бларамберг Иоганн, нэмыцэ генерал-лейтенант. I830 гъэ Шым теухуауэ абыхэм я гупсысэкIэр хьэлэмэтщ. Псалъэм папщIэ, шыр къызэщIэплъамэ, псы ирагъафэркъым, ауэ щыхъукIэ, псы нэхъ щIыIэ дыдэми щагъэпскIыну тогушхуэ. Шур шым къеувэха нэужь, ар гъунэгъуу щыт жыгым ирепх, ауэ уанэр трихыркъым, зекIуэм къикIыжа нэужьи, иджыри сыхьэтитI-щыкIэ шэщым щIигъэувэркъым. Апхуэдэ сакъыныгъэхэм шым и фэм уанэр емыгуауэу къигъанэу жаIэ. Лонгворт Джон, инджылыз тIасхъэщIэх. I837 гъэ Зауэм ираджэмэ, дэтхэнэ зыми шу зэгъэпэща бжыгъэ гуэр къигъэувыну и къалэнщ. Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ шу мин 30-40 къагъэувыфынущ. Сэшхуэрэ бжырэ фIэкIа ямыIыгъми, ахэр шыфIхэм тесхэщ, я щэн ткIийхэм тету, жэщым шхыIэн, махуэм - теубгъуэн яхуэхъу щIакIуэмрэ ерыскъы мащIэ тIэкIурэ фIэкIа къыздащтэркъым. Штелин Яков, нэмыцэ тхыдэт. I890 гъэ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "zawa.txt" }
ЗэзыдзэкIар Кърымщокъал Маринэщ Си щхьэ теухуауэ Дэ, - укIытэххэр? - напIэзыпIэм дригъэрщ. Дэ, - пагэхэр, - ди «сэ»-хэм даIэщIэлъщ. Дэ диIэщ фIэщхъуныгъэ, - ди фIэщ хъуам дриукIытэу, Долъагъур фIыуэ, - фIыу дымылъагъум хуэдэу. Дэ дыщэныфIэщ, - цIыху мыщI псалъэгъуейуэ, ДыщигуфIэгъуэм дыхьэшхэн дыхъун къытфIощI. ЗытфIэтхьэмыщкIэу фIыуэ зыдолъагъур. ГуитI пситI дыхъуауэ гъащIэр идохьэкI. Ди гугъэщ дэ духуэну мэжджытыщIэ, Дэ къытпагъаплъэу жаIа щIыщIэм папщIэ… Арщхьэ дэтхэнэми ехъумэ и псэхугъуэр. И закъуэныгъэр и дурэшым щихьу. Дэ, - щэхухэр, - Тхьэуэ тхэтым дыщоукIытэ, Дыпагэщи, - мафIэншэу дыщIосыкI… Уей, пщылIыгъэ гъуэгу, сыту ушынагъуэ! Уей, пшэплъ иужьрей! Сыту уутхъуа!
{ "source": "adygabza.ru", "id": "zinaidagippius.txt" }
Бемырзэ Зураб и тхылъыщIэм теухуауэ Сэ уэрэд щIыжысIэр, абы къикIыр – сыщIэпсэур – урысхэм я закъуэщ. НэгъуэщIыбзэкIэ уэрэд жысIэн щIэздзэмэ, бзэмыIухэр фейдэ зыхамыхын сату Iуэху хэслъафэм ещхьщ. Си уэрэдым и купщIэр зэрыщыту кIуэдынурэ цIыхухэр къызэрыкIуам хущIегъуэжауэ збгъэдэкIыжынущ. Вертинский Александр Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ усакIуэ, «Черкес хэку» газетым и журналист Бемырзэ Зураб «Зы щIымахуэм и плъыфитI» («Два цвета одной зимы») зыфIища и тхылъыр дунейм къытехьащ 2016 гъэм и кIэухым. Абы ихуащ хьэжрэт щIалэм иужьрей илъэс зыбжанэм адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ зэхилъхьа усэхэмрэ прозэу итха лэжьыгъэхэмрэ. «Усэ мышыум девмыгъэтхьэлэ!» - къыщыхогуоукI Сокъур Мусэрбий и критик лэжьыгъэхэм язым. А зэманым тхэхэри еджэхэри нэхъ мащIэт, нобэ елъытауэ, ауэ зэджэри ятхри къэралым и нэIэ щIэтти, пэжыр – дахэу, дахэр – фIым уезыгъэхъуапсэ амалу щытын зэрыхуейр къыдгуригъэIуэныр зыгуэрым и пщэ илът. Нобэрей тхакIуэхэри усакIуэхэри, зы лъэныкъуэкIэ, нэхъ щхьэхуитщ ягу илъ къаIуэтэнкIэи, зыхуейм тепсэлъыхьынкIэи. Япэм «ядэкъым» жыпIэмэ, зэфIэкIат, пэжым уригъуазэу фэ къыптеуэт. Иджы псори ядэ - тхыф, тхэф, къегъэзэгъ закъуэ, уэращ бзэр зейр. Лъэпкъыр щхьэхуэу дунейм зэрытетым егупщысыну амал щIагъуэ къезыту щымыта лъэхъэнэ блэкIам елъытауэ, уи лъэпкъ и лIыгъэ, уи бзэ и зэфIэкI наIуэ къэпщIыну нобэ ухуит къудейкъым, пщIэи пылъщ. Сыт щхьэкIэ къэралым дыхигъэзыхьыжын? Бзэри, бзэгури, хьэрфылъэм щхьэщымыкI ди Iэпэхэри езыр-езыру зэпхъуэр хьэрф зэгуэмытхэрщ: урысыбзэ, хьэрыпыбзэ, тыркубзэ, нэмыцэбзэ… Бажэмрэ кърумрэ ещхьу, нэхъапэм ди кхъуэщыныщхьэр зэвт, иджы къытхущIэгъалъэкъым. Апхуэдэу щымытынкIэи амал иIэ къыщIэкIынкъым: узэреджэ бзэр узэрыпсалъэм, узэрыпсалъэр узэрытхэм, узэрытхэр узэрыгупсысэм темыхуэмэ, уи гурыщIэхэр къызэрыкIуэщ, гупщысэхэр жьгъейщ, гухэлъхэр куукъыми, пIалъэкIэ щIылъэм къагъэIэпхъуа хьэршырысхэм ещхьу, екIуэкIыр къыдгурымыIуэурэ ди ежьэжыгъуэр къэсынри хэлъщ. Зи тхылъ тIэщIэлъ усакIуэми ар зыхищIэ хуэдэщ: Къыслъохъуэри ягъуэткъым си лъэужьыр, Зы уси, си зы псалъи щымыIэж, Си гугъэ-уапIэм къэкIыжа гъэужьым НэгъуэщIым шэмэджыпэр ныхехьэж. Псалъэ шэрыуэр зэгуэр шабзэм ирагъэщхьу щытамэ, нобэ цIыху цIыкIур етауэ зэрызэхуэтхэмрэ апхуэдэ тыншыгъуэм и гущIыIу гумащIагъым зэрыщыхэщIымрэ плъагъумэ, фIылъагъу гъэтIылъыпIэу игъащIэ лъандэм къекIуэкI усэр гу Iувым трищIа вэгъур къэзыгъачэ лагъыму къыпщохъу. ХамэбзэкIэ щIэныгъэ зэзыгъэгъуэт, «лъэпкъ цIыкIукIэ» зэджэжыныр хьэл зыхуэхъуа, итIанэми «улIэн е улIын» унафэм щIэту къэпсэу цIыхубэм я Iэнэм анэдэлъхубзэкIэ тхыгъэ гунэс къытеплъхьэнри зыгуэркIэ лагъым къэбгупщысыным ещхьщ. «Дэ хуитыныгъэ къыдаткъым. «Мис, адыгэ театр фиIэщ, газет, журнал фи бзэкIэ къыдэвгъэкIыну фыхуитщ» жеIэри, къэралым ди бзэм зригъэужьын къалэныр абыкIэ зыщхьэщегъэкI», - жаIэ языныкъуэ хэкулIхэм. Хуитыныгъэр къыздрахым дригъэгупщысыну Зураб и тхылъым дыщогугъ, ауэ «Адыгэхэм дахэ цIыкIуу зывужьурэ мис мы гъуэгумкIэ фрикIуэ, фыщыадыгэкIэ адыгэбзэкIэ фыпсалъэ, фытхэ, феджэ, ди къэралым адыгэбзэр щыкIуэдыж хъунукъым», - жаIэу унафэ къыдагъэкIыным куэдкъэ дызэрыпэплъар? ПфIэфIым утригъэгушхуэныр къэрал къалэнкъым, «апхуэдэу ущыпсэуфкIэ, пхуэфащэщ» жиIэми, захуэкъэ?! ЛъэпкъылIу къигъэщIам и щIыналъэр игъэлъэпIэну зэ щIэхъуэпсмэ, анэдэлъхубзэкIэ тхэм дежкIэ хэкубзэр гум хия шэпхъщ, зыщIыпIи щимыгъэзагъэу. Адыгагъэм и IэфIыр адыгэбзэ зымыщIэми зыхещIэ. Акъылым зыщIэупщIэр къыщилъыхъуэм деж, бзэ зэхэдз ищIкъым, зыхуэныкъуэр гупщысэр гъуэгу тезыгъэувэн, гур зыгъэпсэхун псалъэщ, ар дапхуэдэ щIыкIэу къыгурыIуэми. Шэч хэлъыххэкъым зэрыхъукIэ бзэ нэхъыбэ нэхъыфIу зэгъэщIэн зэрыхуейми. Ауэ дэ дызымыгъэбакъуэр дызыдэгъуэгурыкIуэ къэралхэм я бзэхэр ди анэдэлъхубзэм нэхърэ нэхъыфIу зэрытщIэракъым, - тепщэу щымыт лъэпкъым ущыщыным къыдиту къытфIэщI нэмыгъэсаигъэр зэрыридгъэкъужын амалу хамэбзэм фIэкIа зэрыдмыгъуэтырщ, анэдэлъхубзэм апхуэдэ гугъэ зэредмыпхыфырщ. Зумыгъэзэхуащэу жыпIэмэ, «дунейпсо» адыгэм и насыпыр лъэпкъыбзэм ирипхыжкъым, адыгэбзэм пэIэщIэу адыгагъэ хузэхэлъхьэнуи хузехьэнуи къыщохъу. Щхьэусыгъуэу игъащIэ лъандэм щыIари щыIэри зыщ – нэхъыбэм яIурылъ бзэм и къарур зэрынэхъ инырщ, и пщIэри зэрынэхъ лъагэрщ. Iэпхлъэпх зэрызытщIыж лъахъэхэм язщ бжыгъэкIэ къыттекIуэм и бзэр тщIэуэ зыкъэдмыгъэлъагъуэмэ, Iэгуауэ къыттракъутэм хэщIынкIэ, зэманым къыкIэрыхуа къуажэдэсу, къэухьышхуэ зимыIэ цIыху зызымыужьауэ далъытэнкIэ дызэрышынэр. Дызытепсэлъыхьыр нэхъри нэхъ IупщIыж ящI Бемырзэ Зураб и IэдакъэщIэкIхэм: адыгэбзэр фIыуэ имылъагъуу е имыщIэу гурыщхъуэ зыхуумыщIыфыну щIалэм и тхылъым и зэхуэдитIыр зэрытхар урысыбзэщ. Адыгэм и бжыгъэр щынэхъ мащIэ Къэрэшей-Шэрджэсым зи гугъу тщIы лъэпощхьэпохэр нэхъ гуащIэжу щызэхэпщIэ къыщIэкIынщ. ЩIэныгъэбзэу усакIуэм бзэ зыбжанэ къигъэщхьэпэфыным фIыуэ хэлъыр мащIэкъым, ди лъэхъэнэм ар, уеблэмэ Iуэху къызэрыкIуэ хуэдэу щытщ. Бемырзэ-нэхъыщIэр Урысейм къыщацIыху усакIуэ хъуну зэрыхунэсами ар къегъэлъагъуэ. Ауэ сыт хуэдизу зыдгъэцIыхуфIу Зураб зэрыдухеин амалхэр къэдмыулъэпхъэщми, уадыгэ усакIуэу урыс литературэм хьэлIамэщI укIуэныр удзыгъуэу джэду къребгъэшыным ещхьщ, къуажэми, жылэми, унэми, жьэгуми ятеухуауэ жыпIэ псоми фэрыщIыгъэ къыхигъэкIуасэу. «Мы щIалэм и урысыбзэм и IумпIэр иубыду, абы къикIыр - цIыху ирихыхьэнкIэ, еджэнкIэ, ирипсэлъэнкIэ нэхъыбэрэ къигъэщхьэпэу, и адыгэбзэр хуиту иутIыпщамэ, лъэпкъ дыхъужынкIэи хъунт», - уигу къокI Зураб Интернетым усэщIэ къыщрилъхьэкIэ. «Анэм къыпIуримылъхьа бзэмкIэ усакIуэ нэс ухъуфынукъым», - жиIэрейт ищхьэкIэ зи гугъу тщIа, урыс щхьэгъусэ бгъэдэса Сокъур Мусэрбий. Ар дыдэм и псэлъафэт: «Урысыбзэ къабзэ щызекIуэр урыс щIыналъэ пхыдзахэращ, мыбыкIэ щызэрахьэр урысыбзэ «шэжыпсщ»». Адыгэшыр къэрэшеиIуэм ибубыдэкIэ лъыщIэ къызэрыщIэмылъэдэнум ещхьщ адыгэр урыс усакIуэ зэрымыхъунур, «анэ-дэлъху-бзэ» псалъэм и зэхэлъыкIэми къыбгурегъаIуэ ар. «Сэ сымыпхуэдэщ», - жыпIэну ущыхуейм деж, дауи, амал псори къыбогъэсэбэп. Адыгэм и къалэдэс щэнхабзэри гъуэгу гуэр темыувауэ щыткъым. Къэралыгъуэ лъэрызехьэ, къыщхьэщыжын хэку зимыIэ адыгэм «хамэбзэ къыумыгъэщхьэпэ» жепIэныр хьэуа пэбубыдыным ещхьщ. ЦIыху акъылым къытехьэлъэкъым бзэ зыбжанэ зригъэщIэныр, ар икIи интеллигентхэм я закъуэкъым зи зэфIэкIыр, зым тхылъкIэ, адрейм уэршэр къудейкIэ къещтэ. Ауэ нэрымылъагъум къыхуигъэщIа усэр гъащIэр тынш зыщI псэукIэ амалхэм зыгуэркIэ къащхьэщокI. ЦIыхур гу имыIэу зэрымыпсэуфым ещхьу, анэдэлъхубзэкIэ псалъэ е тхэ усакIуэ, джэгуакIуэ зимыIэ лъэпкъыр ауэ сытми зэмангъакIуэу дунейм тет къэгъэщIыгъэ къудейщ, дунейм къыщIэкIуами абы тетын зэрыхуей щIыкIэми емыгупщысу. Усэм и губгъуэр хамэбзэм пхуэмыгъэIэпхъуэ гурыщIэхэрщ, уи адыгэ гукъеуэр урысыбзэкIэ къэпIуатэкIэ, урысми адыгэми закъыIэщIэпхыжу аращ, тIуми ягу унэсынукъым. Къытыдогъазэри, хамэбзэкIэ фIэкIа мыпсалъэ адыгэфI куэдым лъэпкъым и цIэ ягъэIуащ. Ахэр щымыIамэ, нобэ мыпхуэдэ гу къызэрыгъуэтыжыпIэ димыхуэххэнри хэлът. Зураби адыгэбзэкIэ жиIэну зытемыгушхуэр урысыбзэкIэ итха усэхэм къыщыбогъуэт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гурыщIэ гуэрхэр иджыри адыгэбзэм тхуигъэзагъэкъым. Аракъэ-тIэ гъэузауэ гъэхъужыпхъэр?! ЖыпIэну узыхуейр уасэ щимыIэ бэзэрым щыпщэну нэхъ тынш, хьэмэ илъэсищэрэ щэ ныкъуэкIэ зэтрихьа бампIэр гум щеныкъуэкъу щIыпIэм нэхъ лъапIэу щикIыну?! Адыгэ узыжьщ урысыбзэр нэхъыфIу пщIэуэ къыпфIэщIыныр. Зураби зэрыусакIуэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, мытхэу зэрымыпсэуфынур мынэрылъагъутэмэ, ар жытIэну дытегушхуэну къыщIэкIынтэкъым. ЩIалэм хузэфIэкIыр елъагъу, усэн IэзагъкIи къыпеуэн и Iэгъуэблагъэм зэримытыр бзыщIауэ щыткъым. ИтIани, нэгъэсыпауэ, и къару къызэрихькIэ тхэну укIытэ нэхъей, жаIэ хабзэхэр, хуабжьу ягъэIухэр, утыку ихьэгъуафIэ сатырхэр зэресагъэжьу зэIуищэмэ нэхъ къыщищтэ къохъу. Рифмэри ритмри зыхещIэ, ауэ, IэжьэкIэ Iуащхьэм къежьэх сабийм ещхьу, куэдрэ бзэм здихьым къыщохутэ, псалъэм йодаIуэ, зримыгъэдаIуэу. Псалъэм папщIэ, «ЩIымахуэ уэшх» зыфIища усэм «шыугъэ»-ри «къыстрапхъари» пычыгъуэ щырыщу хоувэ: «шыугъэ» псалъэм и «у» макъзешэр дэкIуашэ ещIри «ы»-р зэпеш; «къыстрапхъам» т-мрэ р-мрэ я зэхуаку дэт «ы»-р, пэжырытхэм и хьэтыр елъагъури, дрегъэпIытIэ. Адыгэ грамматикэр зыхуей зэрыхуэмызам усэкIэ амалхэр яхъуэжын хуейкъым, армырами ещанэ щхьэм ит глаголым къыпыувэ «р»-хэм дигу ящымыкIыурэ, езы бзэм игу къытщыкIыу дибгынэпэным дынэсащ. Куэд щIакъым Познер Владимир и нэтыным Шемякин (Къардэн) Михаил къызэрыригъэблагъэрэ. СурэтыщIым сыт щыгъуэи къыхегъэщ Бродский Иосиф и усэхэр игу зэрырихьыр. «Бродскэм и усэхэм сыкъыщеджэкIэ, ахэр сэ езым стхауэ къысфIощI», - жеIэ Шемякиным. Аращ усэ нэсыр зэрыщытын хуейр. Аращ зэрыщытри адыгэ джэгуакIуэхэм я уэрэдхэр. Гум хуэгъэза псалъэр лъапцIэрыкIуэщ, хьэлыуэм ещхьу Iум йоткIухь, гъэныщкIун хуейкъым. Зураби усакIуэщ. Сыт ар къыдэзыгъащIэр? УсакIуэмрэ мыусакIуэмрэ зэхэбгъэкIыну тынш дыдэщ: япэрейм жиIэр уи фIэщ мэхъу. И жыIэкIэр уигу иримыхьынкIэи хъунщ, ауэ къэлэмыр къэзыщтам усакIуэгу кIуэцIылърэ кIуэцIымылърэ зэхэгъэкIыгъуейкъым, ар езым утыку зэрызрихьэ щIыкIэми и «къыщIэгъэлъэкIэми» къыхощ. Гугъур сатыр зэгъэкIуакIэ утхэнракъым, птхар усэу къыщIэкIынращ. Псалъэхэр армырами зокIу: хьэрфхэр бжыгъэ гуэрым щиткIэ, ахэр къэзыгъэлъагъуэ макъхэм къытрагъэзэжыху, зыр адрейм дожьу. Адыгэбзэм и макъ дэкIуашэхэм къару нэхъыбэ зэращIэлъра къыщIэкIынщ макъзешэ зэблэхыкIэм тещIыхьа сатыр гъэпсыкIэр адыгэбзэжьым щIимыдэр. Ди макъ дэкIуашэхэм апхуэдизкIэ я щхьэ пщIэ хуащIыжри, къэзыпсэлъым и лъы ирижапIэ къэс нос. А макъ Iэуэлъауэрейхэм ди бзэр усэбзэу къыпфIегъэщI, нэхъ ущемылIалIэми фIы гуэркIэ къыпхуэупсэу. ПIурылъыр нэгъуэщIыбзэу къапщтэми, цIыху къэгъэщIыгъэу щымыт бзэр апхуэдизкIэ къэхъугъэ узыншэщи, псалъитI зэбгъэдэбгъэувэмэ мэхьэнэ пыухыкIам хуэпшэфынущ. А «псалъэ зэIущахэр» тхылъ пщIырэ тхыбзэм щIапIыкIа гуэрым и пащхьэм пхуигъэзагъэмэ, къыгурымыIуэныр фIэигъуэджэу, гъэщIэгъуэн гуэр кърихыфынри хэлъщ. Апхуэдэ тхылъщ зэкIэ ди тхылъ тедзапIэхэм дызэрагъэгуфIэм я нэхъыбэр. Зы бжэгъу кIыхь цIыкIу-цIыкIуу зэпагъэлъэлъам ещхьу, «усакIуэхэмрэ» «щIэныгъэлIхэмрэ», «урысыбзэм нэхъ хуэшэрыуэ адыгэхэмрэ» я тхылъхэр къыщIагъэлъэлъ. Псоми зэдащIэ традзэр зэрымыхъуар, ауэ еджэри тхэри умыгъэбэлэрыгъыу, «уи жагъуэ умыщI, си къуэшыжь, мыр уи IэщIагъэкъым» зыжеIэн хуейхэр «гъэгушхуэныр» хьэлу къытхуинащ. ЦIыху къэс фIы гуэрым къыхуигъэщIащ. Усэ зэрыхуэмытхым къикIкъым ар цIыху мыхъуну. Фэжагъуэм уфIэмылIыкIыу, Iуэхур зыIутыр къыгурыбгъаIуэмэ, къызыхуигъэщIа дыдэр нэхъ псынщIэу къигъуэтыжынкIэи мэхъу а цIыхум. Абы щхьэкIэ ар бгъэукIытэни и напэр тепхыни хуейкъым, щыхьэт уимыIэу жепIэмэ зэфIэкIащ. Мы тхылъ уэлбанэм дызэрыхэтым хуэдэу, адыгэбзэкIэ узэджэн щыIэкъым, пасэу къыдэкIа, гъуэтыгъуей хъуа тхылъхэри къыдагъэкIыжу плъагъукъым. Ауэ щыхъукIэ, «фIы дыдэ», «икIэщIыпIэкIэ тедзэн хуей» зыфIэпщыфыну тхыгъэ куэд «цензурэм» и пхъэрыгъажэм блэкIыфкъым. Апхуэдэ литературэ зэхэтыкIэм Зураб и IэдакъэщIэкIым ещхьу «тхылъкIэ» узэджэфын къыдэкIыгъуэ къыхэхуэныр махуэшхуэщ. Мыхъуар IубгъэкIуэтыну амал къозыт «хъуар» зэрынэхъыбэри Iуэхур зэрыхэмыкIуэдэжыпам и щыхьэтщ. Сыт дэ усэм дызэрыщыгугъыр? ИгъащIэ лъандэми цIыхухэр зэрыщыгугъа дыдэращ – гъащIэм дригъэзэгъэну. «Сыт къыпщыщIар? Си гъащIэр къысщыщIащ», - ирешажьэ щIалэм «Жэщтеуэ» усэр. ГъащIэм и пэжыр апхуэдизкIэ фэзэхъуэкIыу къыпщохъу икIи къэубыдыгъуейщи, абы я фIэщу хэтыныр къалэн зыщызыщIыж усакIуэхэм ар къагурымыIуэу фэ зытрагъэуэныр къыхахащ. ГъащIэр сытым дежи къыбгурыIуэмэ, уусакIуэкъым. Ауэ зэи къыбгурымыIуэххэмэ, уцIыхукъым. УсакIуэм езым цIыху къызыхещIыкIыж и усэхэмкIэ. Езыр зрикIуэ гъуэгум адрейхэр къыхуреджэ жыпIэнущи, зэрыщхьэпридзым фIэкIа дригъэплъкъым. Къыхуриджэкъым жыпIэнущи, къыгурыIуамкIэ зэзэмызэ фIэкIа зыкъиумыскъым. Аркъудейм къегъэлъагъуэ езы гъащIэри, укъыщIагъэщIар къыбгурыIуэху, щыIэ-щымыIэ хуэдэу зэрыщытыр. «Сыт цIыхур къыщIигъэщIар?» - жаIэри Iущ гуэрым еупщIахэт. «А упщIэр къэувын папщIэ», - къапэджэжащ ар. А упщIэр гуащIэ зэпыту щигъэтынращ усакIуэм и къалэныр: псэуныгуу, ауэ гъащIэр игу пыкIыу, пщэдей иутIыпщыну псэмкIэ игъащIэрей дунейм телажьэу. ПсэукIэ зымыщIэр гъащIэр гум техуэнымкIэ нэхъ къэщхьэпэ нэхъей, жэуап зымыгъуэт упщIэхэр зыгъэув усакIуэр гу кIуэдам и къегъэлакIуэщ, езым хуэмышэч дунейм и тегъэгушхуакIуэщ. Гум зезымыгъэIэт дуней кIыфIыр щызэпиплъыхьым дежи, ар нэхъ псэуныгущ, зи унэр къэмыуэжын псэуакIуэм нэхърэ: - Уздэжэр дэнэ? - Си гур здэпхъэрам, Си гугъэр щхьэрыпхъуэну нэм къытелъу. Шу закъуэу си мурад зытесIуэнтIам Жэщ къэсыхункIи щыхупIэжьу селъэу. «Сэ нэхъыфIу, нэхъ екIуу, нэхъ куууэ сыпсэуфынут!» - дуней псом зэхахыу кIий хуэдэщ усакIуэр. ГъащIэ ухуакIуэм «сыпсэуфкъым» щыжиIэм деж, чырбыш, пшахъуэ хуэдэхэр къызэрыIэрыхьэу, псэ къыхэхьэжынущ. УсакIуэм хуримыкъур нэгъуэщIщ. «КIуэ пэтми нэхъ Iэзэу я щхьэ зэрепцIыжыным зрагъасэ…» - щыжеIэ Зураб и урыс усэхэм язым. Апхуэдэ гупщысэкIэ зиIэр мытхэнкIэи мыусакIуэнкIэи мэхъу, ауэ и фIэщу мыпсэункIэ амал иIэкъым. Хэт и фIэщу мыпсэур? Псори йоIэ. Сыт зыхуеIэр? Пщэдей иухыну гъащIэра? Сыхьэт дэкIмэ убгынэну кхъухь тедзапIэм щхьэкIэ сыт зыщIэбукIыжынур? Сыт и мэхьэнэ абы укъыщацIыхукIэи укъыщамыцIыхукIэи? ЛIэныгъэм пэщIэбгъакъуэ амалхэр гъащIэм къыхэщкъым. Удз гъэгъахэр, псыежэх уэрхэр, мэз щхъуантIэхэр – нэм игъафIэ зэпыту къекIуэкI теплъэгъуэ щIэщыгъуэхэр псэущхьэхэми ядыдоугуэш. Сыт-тIэ цIыхур къыхэзыгъэщыр? Зураб и гупщысэр Гугъуэт Заремэ и усэм пэджэжу итха иужьрей сатырхэм къыхощ: Зэгуэр, ажалри зыхьэжын Щхьэл цIыкIуу, гур едмыгъэжьамэ… ФIылъагъу IэщIагъэращ усакIуэмрэ мыусакIуэмрэ я гъуэгу зэхэгъэкIыпIэр: лъагъуныгъэр абыхэм я дежкIэ гум и щIакхъуэ Iэхьэр къызыхащIыкI хьэжыгъэ хужьщ, и Iусыр къыщIэзыгъэщэщ щхьэлщ, сыту жыпIэмэ, лъагъуныгъэм и закъуэщ цIыхур и сурэт пэжым имыту къыхуэзымыдэр. Уи зызэтеIыгъэкIэр гурыщIэ чэнжхэм, цIыхухэм къыбдалъагъу сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэм арэзы къащIмэ, ари гъащIэм щыщщ, псори лъэтэным къыхуигъэщIакъым. Ауэ, махуэ къэс зэхыумыщIэми, къуита псори, гува-щIэхами, пIэщIэзыхыж гъащIэр фIым хуэунэтIа зэпыту зэрыщытыр уи фIэщ зыщIыфыр фIылъагъум и закъуэщ. Уи дуней зэдзэкIыкIэр фIылъагъубзэм техуэн-темыхуэнращ зэлъытар уи тхыгъэр цIыхур мыцIыхуну хуитыныгъэ езымыт усэу къыщIэкIынрэ къыщIэмыкIынрэ. Зураб бзэм щышынэкъым, зыхуейр тыншу къыжьэдокI. Хэмыдэуи щыткъым, ауэ «мыбы сыт къикIыр?» жригъэIэн гукъыдэжым щигъэбэлэрыгъ куэдрэ къохъу. Нэхъ дахэуи, нэхъ щабэуи пхужыIэн куэд пхъашэу, къуабэбжьабэу, узыIурилъафэу къепсэлъ. ПщIащэхэм, удзхэм, дыгъэм, гурыщIэ щэхухэм ятеухуа псалъэхэм зэзэмызэ уи нэгу къыщIагъэхьэну зыхэт теплъэгъуэр пщагъэгъупщэж: «гупсысэ жьахуэ», «дыгъэр ахъшэмым ешхыж», «мазэри джабэ ныкъуэшхщ»… УсакIуэм дзыхь зэрыхуэсщIым «уэрурэ уи джэрэхъыу хэбдзантхъэр гъулъщ» псалъэухам адыгэбзэ ехьэжьа гуэркIэ фIы гуэр къикIыу къысфIегъэщI, ауэ ар къызгурыIуэху гум щысхъумарэт жысIэкъым, зыгуэрым игу хэзгъэхъуэн папщIэи здесхьэжьэну къыщIэкIынкъым. Ауэ щыхъукIэ «къуэкIыпIэм и мастэнэм дыгъэ ипшым», «уэнжакъ пIыщIахэм Iугъуэ кърихур» зэгъэпщэныгъэ нэхухэри зи IэдакъэщIэкIыр а усакIуэ дыдэращ. Мыхэр зимыщIэжу IэщIэтхыхьауи фэ теткъым. Мис «ГушыIэ усэм» ар езыр къызэрыхэщыр: УсакIуэу щыIэм я нэхъ бзаджэр едэхащIэу, Си къуажэ дыщэр бгы зэхуакум мыщIэу щылъщ. Темэхэм уахэплъэмэ, сыт нэхъ къызэрымыкIуэу Бемырзэ-нэхъыщIэм къехъулIэр жыпIэмэ, ар урысыбзэкIэ «граждан лирикэ» зыфIащ «къамэ къихыкIэращ». Зураб и усэхэр хэкулI усэ къудейкъым, хъулъхугъэ усэщ, и лъэпкъым и гукъеуэхэр, езым и псалъэкIэ жыпIэмэ, «лъынтхуэрыкIуэу» щызыхищIэу. Лъэпкъращ абы зыхужиIэр: Инжыдж псыхъуэм дохьэж хьэжрэту Хуитыныгъэр ищIауэ псэгъу. Дыгъужьыдзэу, пшагъуэкIэм хэту Тхыдэ къупщхьэм инату йогъу. Абы адыгэм и гукъеуэхэр къиIуатэ къудейкъым, пкъырытщ, дэтхэнэ усэми фIыхэхьэу. Адэр, лъэпкъыр, къуажэр, хэкур зищIысыр, цIыхур уафэм къехуэха мывэ хъурейуэ зэрыщымытыр, езым ипэрэ иужькIэ ит чырэм къызэрыхэмыкIыфынур, ар узэбакъуэ мыхъун гуэру зэрыщытыр къыщыхегъэщ Зураб тхылъым къыкIэлъыкIуа и усэщIэхэм: Сяпэ ищахэр Ахърэт дзэ фIыцIэу Си щIыб къыдэтщ. Я нэщхъ зэхэлъым Мэз зэщIэкIауэ Ажалыр щIэтщ. Сэ сыкъемылым, Уэ укъемылым - Напэр къелынщ. Ди щIыб къыдэтхэр Дэ ди кIуэдыкIэм Нобэ къеплъынщ. УтIысу узытепсэлъыхь хъун, узытепсэлъыхьын хуей куэдым гупщысэр хуэзышэ Бемырзэ-нэхъыщIэм и тхылъыр лъапэ махуэкIэ дунейм къызэрытехьар и щIэупщIэр зэрыкуэдым наIуэ ещI. «Сыт ди адэжьхэм даIущIэжмэ яжетIэнур?» - щыщIоупщIэ Зураб урысыбзэкIэ итха усэхэм язым. Пэж дыдэу, сыт яжетIэнур, адыгэм и тхыдэ къэгъэшыпIэ къэс псэкIэ зыхэзыщIэ абэзэхэ щIалэр урысыбзэм зыIэщIедгъэхмэ?! Чэрим Марианнэ "Адыгэ псалъэ", щIышылэ, 28
{ "source": "adygabza.ru", "id": "ziusaquamipl.txt" }
Зощенко Михаил (1895 – 1958) урыс тхакIуэ цIэрыIуэщ, абы и къалэмыпэм къыщIэкIауэ дунейм къытехьащ тхылъи 130-м щIигъу, абыхэм щызэхуэхьэсащ хъыбар, фельетон, комедие, нэгъуэщI тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд дыдэ. Ахэр щыхьэт тохъуэ тхакIуэр егъэлеяуэ зэрынабдзэгубдзаплъэм, и бзэр зэрыжаным, и псалъэр зэрышэрыуэм, и гурыщIэр зэрыкуум. Къэрмокъуэ Хьэмид УсакIуэ А усакIуэм и цIэ-унэцIэр сигу ихуакъым ноби. И унэцIэр Овчинниковт. И цIэр сщыгъупщэжыххэнутэкъым – Иван. Тхьэмахуэ зэхуакум щэнейрэ къакIуэрт ар си деж. Къызэуасэри, махуэ къэс къакIуэ хъуащ. Пэшым къыщIыхьэрт, си пащхьэ къиувэрти, усэ къысхуеджэрт. - Си усэр зыгуэрым схутребгъадзэркъэ, – къызэлъэIурт, ар зэрысхузэфIэкIынум шэч къытрихьэртэкъыми. Жэуап щезмытым деж гъуэлъыпIэм итIысхьэрти, хущхьэрт, щатэрт. - Усэным сыкъыхуалъхуащ сэ, сызэрысабий лъандэрэ сотхэ, – жиIэрт. Сыт жесIэнт: щIагъуэтэкъым и усэхэр. - Рифмэм хуэныкъуэщ уи усэхэр, – жесIамэ, зигъэгусэрт. - Рифмэм сыхэзагъэркъым, аращ сытеплъэ щIэмыхъур, – жиIэрт. ЩIалэм и уситI-щы редакцэм схьащ. - ПIахакъэ? – къызэупщIащ щIалэр. - СIахакъым. - Щхьэусыгъуэ ящIыр сыт? - ПIамыхынумэ, щхьэусыгъуэ ягъуэтынкъэ? - Къэздыгъуа я гугъэ? Iэбэлъабэм сыщыщкъым сэ, лъэпкъ узыншэ сыкъыхэкIащ. КъыскIэлъыкIуэ зэпытти, усакIуэр къысIэщIэужэгъуащ. Си щхьэр щIызигъэхьауэ жыпIэ хъунущ. МазитIкIэ скIэрыкIакъым, къызэуасэри. Зымахуэ къэкIуащи, и Iупэр зэтехьэжыркъым: - Си усэхэр трамыдзами, мыр традзэнкъэ! – жеIэри. - Сыт зищIысыр? – сеупщIащ. - Поэмэ къысIэщIэтхыхьащ. МахуитIкIэ селIэлIащ поэмэм, си фэр ирихащ. Поэмэм седжащ – зыри хэзгъуэтакъым. - ПыкI усэным, – жесIащ. – ПыкIи, лажьэ. - Сыт сыбгъэщIэнур? Мывэр зэпысхынт, лэжьапщIэ къызататэмэ. ЛэжьапIэ къыхуэзгъуэтащ. МазэкIэ къытехьакъым дунейм, и IэщIагъэм дихьэха хъунти. Мазэ хуэдэ дэкIауэ къэкIуащ. Си пащхьэ къиувауэ зегъэтхьэмыщкIафэ. - УсэмкIэ згъэзэжын хуей хъунущ, – жиIащ щIалэм. - Сыт щхьэкIэ? – згъэщIэгъуащ. – ЛэжьапIэ хъарзынэ къыпхуэзгъуэтащ – уахэзагъэркъэ? - Сахозагъэ, – жиIащ щIалэм. – Къызатыр мащIэщ, схурикъуркъым. Щезгъэжьэжым, къызэлъэIуащ: - Сомищ къызэт. СымэжэщIалIэщ. ЛэжьапщIэм срикъуркъым. Аращ усэм зыщIестыжынур. Сомищ сIихри, ежьэжащ щIалэр. ЩIыхуэм дэкIуэдащ щIалэр – афIэкIа къыкъуэкIыжакъым. ЗэзыдзэкIар Къэрмокъуэ Хьэмидщ
{ "source": "adygabza.ru", "id": "zoschenko-mikhail.txt" }
*** Слъэгъуащ сэ Азием и губгъуэ унэщIауэ, Кавказым и куэщI жыжьэ ялыгъуауэ Шы хъупIэу къэнэжар. Гум цIыкIум и гуфIакIэ щIигъэпщкIуауэ, Пшэ есхэм я жьауэкIэм щIэгъуэлъхьауэ Псыжьыпс и куэщI ущIар! Хэгъуэгу гууз! Уи псэ дзакъэн гурыщхъуэм Егъащтэри, иреудэкIыр псыщхъуэр Нэпкъыжь удэрэщхъуам. Ишхами зауэм, гугъэр я псэ хущхъуэу, Щауей нэщхъейхэм псыхъуэм къыщалъыхъуэ Гухэлъ къадэмыхъуар. Тхъэжыгъуэр гуIэ узкIэ яхъуэжауэ, Зэхэуэхэм лIыжь кхъахэ хэхъухьауэ Кипридэ и гъэр бын! Фи жьыгъэр фыхэплъызэурэ вгъэжейуэ, Псэ жэп къепэсэуам фригъейшейуэ – Фэ дауэ сигу фихун…
{ "source": "adygabza.ru", "id": "zurabpushkin.txt" }
Уэху! Си закъуэщ! УэрамымкIэ иджыри емыкIуэлIэжа машинэ ешахэм я Iэуэлъауэ къоIукI. Щэхуу, гупсэхункIи мэхъу, сыхьэт зыбжанэ си Iэрылъхьэщ. Уэху! ЦIыху нэкIухэм къыздахь хьэзабыр IукIуэтащи, иджы сэ езым си фэм дэсхыжым фIэкIа сымышэчыну сыхуитщ. Пшапэ зэхэуэм зыхезгъэлъафэу зызгъэпсэхуми хъунущ иджы. Япэрауэ, IункIыбзэIухыр бжэм тIэу щызогъэкIэрахъуэ. Абы сызэризакъуэр нэхъ куууэ зыхызигъащIэу, дуней нэрылъагъумрэ сэрэ дяпэкIэ ди зэхуаку къыдэувэну блынхэр нэхъ лъагэжу къыдрищIеин къысфIощI. ГъащIэ хьэдэгъуэдахэ! Къалэ хьэдэгъуэдахэ! Нобэрей махуэр cигу къэзгъэкIыжынти. ТхакIуэхэм сахуэзащ. Языхэз «Урысейм щIылъэкIэ укIуэ хъуну пIэрэ?» - жиIэри къызэупщIащ. Абы Урысейр хытIыгуу къызэфIигъэщI къыщIэкIынщ. Журналым и редакторым си фIэщу седэуащ. Зыгуэр пэздзыжыху «ЦIыху зэтетхэр апхуэдэущ Iуэхум зэреплъыр» къызжиIэт. Адрей журналхэр къыдэзыгъэкIхэр псори кIэрыху-кIэрыщ защIэщ жыпIэнт. ЦIыху тIощIым щхьэ тэрмэш яхуэсщIащ, абыхэм ящыщу пщыкIутхур игъащIэм сымылъэгъуауэ. Iэлъэ зыIэрыстIэгъэну сигу къэмыкIыххэу, сэлам зэсха къомым я бжыгъэри абы къыкIэрыхукъым. Уэшх къешхыху зэманыр згъэкIуэн папщIэ, Венерэ и фащэ къыхуэзгупсысыну къызэлъэIуа къэфакIуэ гуэрым сылъыгъуэзащ. «Мыст убгъэдыхьэмэ ущыуэнукъым. Си тхакIуэхэм абы нэхърэ зи жыIэ нэхъ пхыкIи, нэхъ цIэрыIуи, нэхъ акъылынши яхэткъым. Абы гъуэгу гуэр утригъэувэнкIи хъунщ, итIанэ деплъынщ»,- жиIэу сыкъыщIэзыгъэувыкIыжа театр унафэщIым сеубзащ. ИгъащIэм сымылэжьа Iуэху мыфэмыцхэмкIэ (хэтыт абы хуейр?) зызгъэщIэгъуащ. СфIэфIыпсу сщIа нэгъуэщI напэтех Iэджэ - утыку сыкъилъэдэн, хабзэр зэIысщIэу цIыхухэр згъэбэлэрыгъын къудей щхьэкIэ сызытегушхуахэр - сышынэри сыбзыщIащ. Ныбжьэгъум зыкIи къыстемыхьэлъэн гуэр пэзубыдащ. ТхьэгъэпцI гъущэр зэрыцIыху пэжымкIэ щыхьэту сыкъэуващ. Куэдкъэ-тIэ ар? И щхьэм щыщIэдзауэ зыхуэарэзы мы дунейм темыт сэ сыту сыхуейт псори къысхуэгъуауэ жэщ Iэуэлъауэншэм и егъэзыпIэм си гур къыщызэрыгъуэтыжыну. Си нэм и нэхуу щытахэ, си сатырхэм щызгъэфIахэ! ПсэкIэ зыкъысщIэвгъакъуи мы дунейм и пцIымрэ абы къыщхьэщих бахъеймрэ сщхьэщывгъэкIуэт. Уэри, ди Тхьэ, гущIэгъу къысхуэщIи, Уи гугъэ зэрысхомыхыжар, мы сигу зыщыкIа къомым нэхърэ сызэрымынэхъыкIэр си фIэщ ящIыфу, дахащэу усэ зыбжанэ сыгъэтх.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "zym.txt" }
ЦIыхухэр зыщыгуфIыкIа ухуэныгъэ Дахагъэмрэ къабзагъэмрэ лъэпкъым, цIыхум я щэнхабзэм щыщ зы Iыхьэ инщ. Ар къыдгурыIуэу, дунеймрэ щIыуэпсымрэ пщIэ яхуэтщIу, цIыху IэрыкIым дыхуэсакъыу дыпсэуныр дэтхэнэми ди къалэнщ. Къалэхэр зэIузэпэщ, дахэ щIыным ехьэлIа федеральнэ программэм ипкъ иткIэ яухуэ паркхэм ящыщ зы иджыблагъэ яухащ. Ар ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ Московскэмрэ зэпызыщIэ зыгъэпсэхупIэрщ. Абы хеубыдэ сабийхэм я джэгупIэхэр, спорт утыкухэр, щхьэж и мыхьэнэ елъытауэ языныкъуэхэм мывэ (метр зэбгъузэнатIэу 5300-рэ), адрейхэм хьэфэ лъэгу (зы миным щIигъу) ирадзащ. ТетIысхьэпIэ дахэхэр, жэщым ар къэзыгъэнэху лампIхэр зыфIэлъ пкъохэр, пхъэнкIий идзыпIэхэр куэду итщ. Къыхэгъэщыпхъэщ ухуэныгъэр щащIым жыгхэр къызэрырамыупщIыкIар, атIэ нэгъуэщI щIыпIэхэм зэрагъэIэпхъуар. «Сабийхэр къыщIэпшмэ къыщыпкIухьын, къыщепшэкIын щIыпIэ гъунэгъуу диIэтэкъыми, егъэлеяуэ дыщыгуфIыкIащ мы ухуэныгъэм, — жаIэ гъунэгъу унэхэм щыпсэухэм. — ФIыщIэ яхудощI ар зи гукъэкIхэми, программэм Iуэхур хэзыгъэхьахэми, паркыр зыхуей хуэзэу зыщIа лэжьакIуэхэми». «УимыIэри зумыхьэри зыщ», — жиIащ адыгэм. АтIэ, ухуэныгъэр зыхуей зэрыхуагъэзам хуэдэу дахэу, фафIэу, екIуу зезыхьэфын цIыхуу къыщIэкIыну сыхуейт абы зыщызыгъэпсэху дэтхэнэри. БЛИЙ Даянэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100002.txt" }
IутIыж Борис и дуней телъыджэ Уоу, си лъэпкъ мащIэу гущIэм щызгъафIэ, Зи фIыр зи Iейхэм къысхугуэмых, Зэм хубоIэт уэ си гур мо уафэм, Зэм щIы къатиблкIэ гугъэр йодзых. Iу.Б. Бадзэуэгъуэм и 14 — 15-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ адыгэлI цIэрыIуэ IутIыж Борис хуэгъэпса фэеплъ пшыхьхэр, зэхыхьэ гуапэхэр, щIэныгъэ конференцхэр. Дауэдапщэхэр къызэIуахащ «IутIыж Борис и дуней» фIэщыгъэм щIэту Лъэпкъ музейм къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэмкIэ. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа Iуэхугъуэхэм кърагъэблагъэри хэтащ къалащхьэм, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щыщ лIыкIуэхэр, IутIыжым и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр, и ныбжьэгъуфIу щытахэр. Музей бжэIупэм Борис и IэдакъэщIэкIхэм щыщ зытет сурэтхэр къыщегъэувэкIат. Гъэлъэгъуэныгъэр щекIуэкI пэшым цIыхур щIэзми, дэтхэнэми нэпсейуэ IутIыжым и IэдакъэщIэкIхэр зэпиплъыхьырт. Борис гъуаплъэм къыхищIыкIа пкIыгъэхэм музейм и пэш иныр яуфэбгъуат. Абыхэм, мэгъу къару яхэлъым ярейуэ, узэщIаубыдэри дуней телъыджэ гуэрым ухашэ. Iэдэбыгъэрэ сабырыгъэкIэ, гупсэхугъуэрэ псэ хуабагъэкIэ гъэнщIа дунейщ ар, гупсысэ щIэншэкIэ зэкIэрышхэжауэ. Лъагъуныгъэ, ныбжьэгъугъэ, цIыхугъэ, хабзэ, лIэныгъэ — гъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдэ IутIыжым и лэжьыгъэхэм. Сыт и уасэ: «Жьыгъэ», «ХьэтIохъущокъуэ Къазий», «Кушыкупщ», «Гуащэгъагъ», «Андемыркъан», «Мазагъуэ», «ГъащIэ», «Псысэ», «Адыгэ тхыдэ», «Унагъуэ» теплъэгъуэхэр. ПкIыгъэхэм апхуэдизу узыIэпызышэу хэлъыр зэ еплъыгъуэкIэ мыгурыIуэгъуэми, иужькIэ сэ зыхэсщIащ ахэр сурэт къудей мыхъуу, IутIыжым и нэгу щIэта, абы фIыуэ илъагъуу и гум щихъума адыгэ дунейм и теплъэгъуэу зэрыщытыр. Сыту дунеишхуэт, икIи дуней телъыджэт ар! Гъэлъэгъуэныгъэм щхьэхуэу хагъэхьащ Борис и гушыIэ шаржхэр, и спектаклхэм хэта лIыхъужьхэм я фащэу езым зи теплъэ иубзыхужахэр. Пэшым щызэхуэхьэса лэжьыгъэхэм защумыгъэнщIу уеплъа иужькIэ, IутIыжым IэщIагъэ нэхъыщхьэу гъащIэм щиIар бгъэнэхуэну къогугъуэкI. Ауэ щыхъукIи, апхуэдэ Iэужь екIу къэзыгъэна лIым дахагъэр фIыуэ зылъагъу, анэдэлъхубзэр зыфIэIэфI, гъащIэр зи щIэщыгъуэ псори зэрызэришалIэр хьэкъщ. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихри иригъэкIуэкIащ Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат абы зыкърезыхьэлIахэм захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкI фIэхъус псалъэкIэ: «Нобэ дэ догъэлъапIэ, адыгэ лъэпкъым къыхэ-кIа лIы цIэрыIуэ IутIыж Борис и фэеплъыр. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и интеллигенцэм и зэфIэкIхэмкIэ къахэщ цIыхут ар, зэчий ин зыбгъэдэлъ щIэныгъэлIт, журналистт, егъэджакIуэ бэлыхьт. Ар яхэтащ «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэ псалъалъэр» зэхэзыгъэувахэм. Литературэм и жанр куэдым ехъулIэу щылажьэрт IутIыжыр. Псом хуэмыдэу абы и IэдакъэщIэкIхэр ягъэлъагэрт къигъэсэбэп литературэ Iэмалхэмрэ и бзэ къулеймрэ. Апхуэдэщ абы и гушыIэ дахэхэмрэ сатыр пIаскIуэхэмрэ. Борис и Iэдакъэ къыщIэкIащ цIыхухэр, щэнхабзэ дунейр зыгъэпIейтей Iуэхухэм ятеухуа публицистикэ лэжьыгъэхэр. Ар зи унафэщIу щыта «Iуащхьэмахуэ» литературэ журналыр лъэныкъуэ куэдкIэ иригъэфIэкIуащ. IутIыжым и зэфIэкI инхэр гулъытэншэ хъуакъым, абы къыхуагъэфэщащ «КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ», «УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр. Ауэ щыхъукIи, езы тхакIуэм и дежкIэ нэхъыщхьэр цIыхубэм къыхуаIэ фIылъагъуныгъэрт. Дэ зэрытщIэщи, Борис фIыуэ ялъагъу и IэдакъэщIэкIхэм щIэупщIэ ин яIэщ. Абы и лэжьыгъэ-хэм яхэлъ хуабагъымрэ къару инымрэ иджыри лIэщIыгъуэ куэдкIэ лъэпкъыр игъэхуабэу, иригушхуэу псэунущ». IутIыж Борис теухуауэ а зэIущIэм псалъэ гуапэ щыжиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — Нобэ дызэхуэзышэса IутIыж Борис лъэпкъым хуищIамрэ хуилэжьамрэ иджыри щIэх къыдгурыIуэну, зэхэтщIыкIыну фIэщ щIыгъуейщ. Зы гъащIэм къриубыдэу а лIым хузэфIэкIар дгъэщIэгъуэн, дегупсысын, и псалъэхэм къытедгъэзэ-журэ деджэжын, и лэжьыгъэхэр щIэрыщIэу щIэтпщытыкIыжын хуей хъунущ. Абы и тхыгъэ нэхъ цIыкIу дыдэхэми гупсысэ шэщIа ящIэлъщ. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу ди щIэныгъэлIхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр Борис и дежкIэ куэдрэ зэрыIэбэжынур, абы и IэдакъэщIэкIхэр хэмыту лъэпкъым зы Iуэхуи зы махуи зэрыдимыхынур. Борис яхэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэхэублакIуэхэм, — жиIэри, и псалъэхэм я кIэухыу, IутIыжым и усэ сатырхэм ящыщ къеджащ Сэхъурокъуэр. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым и егъэджакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Куллэ Виктор. Абы жиIащ Налшык зыбжанэрэ къызэрыкIуар, дапщэщи фIэфIу къызэрытригъазэр. Лъэпкъ литературэхэм зыужьыныгъэ ягъуэтын папщIэ къалащхьэм щрагъэжьа проектхэм, тхакIуэхэм я мыхьэнэмрэ, абыхэм гъуэгу етын зэрыхуеймрэ теухуауэ щытащ абы и къэпсэлъэныгъэр. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыхигъэщащ Борис сабийм хуэдэу гу къабзэрэ еншэу зэрыщытар. — IутIыжым теухуауэ куэд пхужыIэнущ, гукъэкIыжхэри ди мащIэкъым, ауэ мы пэшым щытлъагъу лэжьыгъэхэмрэ а лIым къытхуигъэна Iэужь дахэхэмрэ псалъэ псом я щхьэщ. Си фIэщ хъуркъым Борис гуапэу темыпсэлъыхьыфыну мыбдеж зыгуэр щыту, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар псоми яцIыху, фIыуэ ялъагъу. ЛэжьакIуэшхуэт, цIыхугъэшхуэ зыхэлът, гупсысэкIэ телъыджэ зиIэт. Зы адыгэ щыIэху, IутIыж Борис и цIэр дунейм тетынущ, тетынущ абы ди щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэ иныр, — жиIащ Къумахуэм. Борис и усэ къыхэхахэм абдеж къыщеджащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэхэр. IутIыжым и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр ягъэзэщIащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Мэремыкъуэ Резуан, ЦокIыл Азэмэт, Хьэкъул Оксанэ сымэ. Фэеплъ пхъэбгъу IутIыж Борис щыпсэуа унэм (Налшык къалэ) абы и фэеплъ пхъэбгъу бадзэуэгъуэм и 14-м фIадзащ. Борис хуащI пщIэм и щыхьэт нахуэщ махуэм и хуабэгъуэми уз зэрыцIалэм и гуащIэгъуэми къамыгъэувыIэу пщIантIэм дэмыхуэу цIыхухэр къызэрызэхуэсар. Пхъэбгъур къызэIузыхыну зи пщэрылъхэмрэ хьэщIэхэмрэ я мызакъуэу, къуажэ жыжьэхэм къикIа цIыху къызэрыгуэкI куэд щыплъагъурт абдеж. Сыт щхьэкIэ? Борис и Iэужьым пщIэ хуащI, ар я гъащIэм щыщ Iыхьэу къалъытэри аращ. IутIыжым и цIэкIэ зэхаша щыгъуэ-щIэж пэкIур къызэIуихащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. ИпэIуэкIэ къызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэр къызэрыщыхъуам къытригъэзэжу, абы жиIащ, музей пэшым щIэт «хьэуар» дэтхэнэми зыхищIэн хуейуэ къызэрилъытэр. — Пэжыр жысIэнщи, нобэми къызгурыIуэркъым Борис апхуэдиз лэжьыгъэм зэрыпэлъэщар. Куэд къыщIэнащ, къыщIэнауэ хъуари — дурдылщ. Нобэ абы и фэеплъ пхъэбгъу къызэIудох, ауэ куэд дыдэ щIащ IутIыжым и цIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ уэгум езым зэрыритхэжрэ. Лъэпкъым щхьэузыхь зэрызыхуищIым иринасыпыфIэу псэуащ ар, — жиIащ Къумахуэм. КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Беппаев МутIалип жиIащ лъэпкъым и тхыдэр, абы и блэкIар къыдэкIуэтей щIэблэм Борис и тхыгъэхэмкIэ къызэращIэфынур, IутIыжым хэмыгъуэщэжын лъэужь къызэринэкIауэ къызэрилъытэр. ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий абдеж щыжиIащ лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм хухэхауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэм щагъэхьэзыр плIанэпэм хуэфащэ ды-дэу IутIыж Борис и цIэри зэрыхатхэнур. Къызэхуэсахэм фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ Борис ипхъу IутIыж — АфIэунэ Дадий. Борис и усэ дахэхэмрэ гушыIэ кIэщIхэмрэ абдеж екIу дыдэу къыщеджащ литературэ зэпеуэхэм къыщыхэжаныкIа ныбжьыщIэ цIыкIухэр. Фэеплъ пхъэбгъур Къумахуэ Мухьэдинрэ IутIыж Дадийрэ къызэIуаха иужькIэ, а блыным деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ. Пэжщ, пщIэщ тхакIуэм дежкIэ апхуэдэ Iуэхугъуэр, ауэ, сэ сызэреплъымкIэ, абы хуейр тхэмытыжракъым, атIэ дэращ. 1940 — 2008 илъэс бжыгъэхэр зытет пхъэбгъум къигъэлъагъуэр Борис щыпсэуа зэманым и закъуэкъым, атIэ лъэпкъ щэнхабзэм насыпыфIэу зыщилъытэжа, абы къаруущIэ къыщыхыхьа лъэхъэнэрщ… «Гуащэмыдэ хьэблэр» — щIэрыщIэу ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым IутIыж Борис и «Гуащэмыдэ хьэблэ» спектаклыр бадзэуэгъуэм и 14-м и пщыхьэщхьэм щагъэлъэгъуащ. Хэт зымыщIэжыр а спектаклыр нэхъ ипэкIэ щагъэувам щIэупщIэу иIамрэ ар цIыхухэм фIыуэ зэралъэгъуамрэ?! Абы хэтахэм я псалъэхэр жыIэгъуэ хъужауэ нобэми кърахьэкI. Пэжщ, къемыкIуу къыпщыхъун, узыщыукIытэ гуэрхэм ущрохьэлIэ абы, ауэ, аракъэ гъащIэр зэрызэхэлъыр. КъекIурэ быныр анэм елъэпэуэну, фызым лIыр игъэшынэну е цIыхухъур бзылъхугъэ унафэ хущIэплъу щысыну?! КъекIуркъым! Мис а къемыкIухэрщ Iутыжым ди нэм «къыщIиIужыр», дызригъэуалIэр, зэм-зэм иригъэлейуэ къыпщыхъуми, апхуэдэу къытхэтхэм закъезыгъэцIыхужыр. Ауэ щыхъукIи, фIыр ем токIуэ, щхьэж къилэжьар гува-щIэхами зэригъуэтыжымкIи ди гур фIы ещIыж тхакIуэм. АбыкIэ IутIыжым и драматург къалэныр къехъулIащ, ар зыхуитха дэ ди къалэныр-щэ?.. Спектаклым щIидзэн и пэ къихуэу КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъазэри, республикэм къеблэгъа хьэщIэ лъапIэхэр пэшым щIэсхэм яригъэцIыхуащ. Абы къыщыпсэлъащ Адыгейм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, шыкIэпшынэ щIыным хуэIэзэ ГъукIэ Замудин. — Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу адыгэхэм хуэдэ дыдэу кIахэмкIэ щыпсэухэми IутIыжыр зыпащI щымыIэу фIыуэ ялъагъу. Нобэ екIуэкI Iуэху дахэхэм Борис и псэр щыгуфIыкIыну сыщогугъ, — жиIащ абы. УсакIуэ, литературэ критик, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Аксёновэ Асият къыщыпсалъэм жиIащ ди щIыналъэр къызэрымыкIуэу фIыуэ зэрилъагъур. — IутIыжым и фэеплъ пхъэбгъур къыщызэIуахым, сэ телъыджэ гуэр си нэгу щIэкIащи, сывдэмыгуашэу схуэшэчынукъым. Пхъэбгъум дыщыбгъэдыхьэм, сэ гу лъыстащ абдеж щызеуэ хьэндырабгъуэ хужь цIыкIум. ЯпэщIыкIэ ар Къумахуэ Мухьэдин и Iэм тетIысхьащ, иужькIэ ипхъу Дадий и дамэм тесу слъэгъуащ. Си щхьэфэцым зиIэтат а дыкъикъэхэм. Апхуэдэхэм деж хьэндырабгъуэ плъагъуныр фIыуэ жаIэ, ар къыщIэнахэм зэрахуэарэзым и щыхьэту къалъытэ, — жиIащ Аксёновэм. СыхьэтитIым щIигъукIэ екIуэкIа спектаклым щIэсхэр зэм нэщхъейт, зэм гуфIэрт, зэми гупсысэм хэхуэрт. Сэ псом хуэмыдэу сызыIэпишэу сызэдэIуар Борис и бзэрщ. ШыкIэпшынэм фIыуэ тешэщIа бзэпсхэм кърагъэкI макъамэ телъыджэм хуэдэу, Борис и псалъэхэр адыгэлъыр къуэпсу зрикIуэм кIуэцIрыжырти, гупсысэр кърагъэблырт. Зэм лъыр ирихужьэу, зэми зэтрауIэфIэжу… Борис и бзэр къулей къудейкъым, ар анэдэлъхубзэм и псынэм хэIубэу и IэфIыр зи Iупэм къытена пэлъытэу бзафIэщ. Псалъэ хэплъыхьакIэ, адыгэ дунейм къигъэув мардэм щIэзыкIа гупсысэкIэ абы емрэ фIымрэ, къекIумрэ къемыкIумрэ зэхэхауэ къыдбгъэделъхьэ. Дэ къытхуэнэжыр дыIэбэу къэтщтэну аркъудейрщ!.. ЦIыху. ТхакIуэ. ЩIэныгъэлI IутIыжым ехьэлIа дауэдапщэхэм пащэу бадзэуэгъуэм и 15-м Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым щекIуэкIащ «ЦIыху. ТхакIуэ. ЩIэныгъэлI. Борис и творчествэм иIэ щхьэхуэныгъэхэр» фIэщыгъэм щIэт хэгъэгу щIэныгъэ конференц. Борис теухуа гукъэкIыж дахэхэмкIэ къызэIуихри, ар иригъэкIуэкIащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБЩIКъИ-м и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт. Дзэмыхьым жиIащ нобэрей щIэныгъэ дунейм хэт нэхъыжьыфIхэм ящыщ куэд Борис зэрыдэлэжьар, цIыхугъэкIи, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIи фIы дыдэу зэрацIыхур. IутIыжым и гъащIэ гъуэгуанэр къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжри, ар щхьэхуэу къытеувыIащ Борис и щIэныгъэ лэжьыгъэхэмрэ абы анэдэлъхубзэм хуищIа хэлъхьэныгъэмрэ. Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым и егъэджакIуэ Куллэ Виктор псалъэ щратым, езыр щылажьэ институтым Лъэпкъ литературэхэмкIэ курсхэр гъэ къакIуэ къыщыщIэдзауэ ирагъэкIуэкIын зэрыщыщIадзэжыр жиIащ. Лъэпкъ литературэхэм я кууагъымрэ щIэщыгъуагъымрэ щхьэхуэу къытеувыIащ Куллэ Виктор. И псалъэхэм я щыхьэту къигъэлъэгъуащ илъэс зыбжанэ хъуауэ езыри хэту «Урысейм ис лъэпкъхэм я иджырей литературэ» фIэщыгъэр иIэу къыдагъэкI антологиехэм (усыгъэм, прозэм, драматургием ейхэр дунейм къытехьащ) ихуа тхакIуэ-усакIуэхэр. Къапщтэмэ, драматургием и антологием IутIыж Борис и «Кушыкупщыр» итщ. IутIыж Борис и тхыгъэхэм езым яхуиIа щытыкIэм тепсэлъыхьащ филологие щIэныгъэхэм я доктор Гъут Iэдэм. Абы жиIащ IутIыжым и дуней еплъыкIэ щхьэхуэм къищынэмыщIауэ, грамматикэ и лъэныкъуэкIэ езым и хабзэ пыухыкIа зэриIэжар. — Лъэпкъ къэс иIэщ лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ цIыхухэр. Адыгэм и дежкIэ IутIыж Борис апхуэдэу къысщохъу. Абы и гъэлъэгъуэныгъэм сыщеплъам сфIэгъэщIэгъуэну куэд зэпэсплъыхьащ. ПкIыгъэхэр дахэ къудейкъым, ахэр Iэзэ дыдэу щIащ. Лъэпкъ IэщIагъэр, литературэр езыгъэфIэкIуа адыгэ тхакIуэм теухуа Iуэхухэм сфIэфIу сыхэтщ. Театрым щытлъэгъуа спектаклыр зэрекIуэкIар адыгэбзэми, артистхэм я джэгукIэмкIэ, зыщIыкIэмкIэ къызгурагъэIуащ зытеухуар. Драмэмрэ пкIыгъэмрэ зызогъэщхь, тIури гъащIэм щыщ теплъэгъуэщ, тIуми куууагъ яIэщи. Абы къыхэкIыу жысIэну сыхуейт IутIыж Борис IэкIи псэкIи зэрыусар, — жиIащ Аксёновэ Асият. «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ IутIыжым теухуауэ къыщыпсалъэм Борис лъэпкъым дежкIэ игъэзэщIа мыхьэнэм, ар зыIууа гугъуехьхэмрэ лъэпощхьэпохэмрэ я гугъу ищIащ. — Си насып кърихьэкIри, илъэс 14-кIэ сыдэлэжьащ Борис. А зэманым ар жьыпэу схуэхъуащ жысIэмэ, сыщыуэнукъым. ЗгъэщIагъуэрт абы хэлъ къарур, къыпэувхэм къахуигъуэт бгъэдыхьэкIэр. Абы и гушыIэ дахэм ар куэд дыдэм къригъэлауэ къысщохъу. Быдэу сыщогугъ ямыгъэуву къэна и пьесэхэр театр утыкум щытлъагъуну. IутIыжыр къыттеубгъуаууэ жыхуаIэу къызэрыддэлэжьа щIыкIэм и псэм и хуабагъымрэ ар цIыхушхуэу зэрыщытамрэ къагъэлъагъуэ, — жиIащ Къаныкъуэм. ЩIэныгъэ конференцым IутIыжым и драматургием, адыгэ бзэщIэныгъэм Борис хуищIа хэлъхьэныгъэм, и усыгъэхэм яхэлъ щIэщыгъуагъым абы и тхыгъэхэм гушыIэм щиубыд увыпIэм, нэгъуэщI куэдми ятеухуа доклад гъэщIэгъуэнхэр щащIащ. Зэрэгъыж къуажэм Борис и щIыхьыр зыгъэлъапIэ гупым адэкIэ яунэтIащ ар къыщалъхуа Зэрэгъыж жылэжьым. Шэрэдж муниципальнэ щIыналъэм, къуажэ администрацэм я лIыкIуэхэр зыпежьа хьэщIэхэр япэщIыкIэ яшащ Борис и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм. Абы и пэIущIэ пэшым школакIуэ цIыкIухэм ягъэхьэзыра теплъэгъуэхэр щагъэлъэгъуащ, я къуажэгъу щэджащэм и усэ къыхэхахэм къыщеджащ. ИужькIэ хьэщIэхэм зыщрагъэплъыхьащ IутIыжым и псалъэрэ IэрыкIкIэ гъэнщIа еджапIэм. АдэкIэ хьэщIэхэр щыIащ Борис и Iуащхьэу къалъытэ, абы и фэеплъу мывэшхуэ зытрагъэува щIыпIэм. Къуажэм къыхэплъэу тесу, и тхыгъэ куэдым я лъащIэр къыщригъэхъуар абдежу езыми Iэджэрэ жиIэжащ. Аращ абы и уэсяткIэ и псалъэхэр зытедза мывэшхуэр а Iуащхьэм щIытрагъэувар. Абдеж щытепсэлъыхьащ Зэрэгъыж къыдэкIа цIыху цIэрыIуэхэм. Къэралым, республикэм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа хьэщIэхэр зэхуэзышэса IутIыж Борис адэжь щIыналъэм теухуауэ итха усэхэм къыщеджащ, я къуажэгъум зэрыригушхуэр, абы и щIыхьыр я гуапэу зэрагъэлъапIэр жаIащ жылэдэсхэм. Фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэри, тхакIуэм дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ. IутIыж Борис траухуа дауэдапщэхэм я кIэух Iыхьэу, гупыр щыIащ Зэрэгъыж къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм. Шэрэдж щIыналъэм и администрацэм и лIыкIуэхэр къыщыпсалъэм жаIащ Борис хуэдэ къазэрыхэкIам зэрыригушхуэр, и IэдакъэщIэкIхэр фIыгъуэшхуэу къызэралъытэр. — Ингушым сыкъикIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэзышар IутIыжым хуэсщI пщIэшхуэрщ. «Куэд къэзымыгъащIэу куэд зыхузэфIэкIа», зыхужаIэхэм ящыщщ Борис. Абы и тхыгъэхэм гупсысэ куу щыпхышащ, ауэ нэхъыщхьэр цIыхухэм я щыуагъэр яхуэдгъэгъуу, къыдгурыIуэу дыпсэун зэрыхуейрщ. Сыщогугъ абы уэсят папщIэу къигъэна и Iэужьыр флъытэу, абы и Iущыгъэм фытету фыпсэуну, — жиIащ литературэ критик, Ингуш Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Накостоев Хаваш. КъыкIэлъыкIуэу псалъэ иратащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Шыбзыхъуэ Ларисэ. — «ЦIыхухэм насып къахуэзылъыхъуэрщ насыпыфIэ хъуну зыхуэфащэр», — жаIэу щытащ нартыжьхэм. Сэ сызэреплъымкIэ, а псалъэхэр и гъащIэ гъуазэу псэуащ IутIыжыр. ЦIыхур къэпцIыхун папщIэ къыщалъхуа щIыналъэм укIуэн хуейуэ жаIэ, абы и мыхьэнэр къыщызгурыIуар Борис и адэжь къуажэм сыкъыдыхьа иужькIэщ. ЩIыуэпс телъыджэ, цIыху гъэщIэгъуэнхэмкIэ бей щIыпIэщ мыр. Лъэпкъ насыпым зэрылъэпкъыу щIэбэныфынукъым, ар хуэныкъуэщ и Iуэху дэзыгъэкIыну лIыхъужьхэм, ухуейрамэ, лIы хъыжьэхэм. Лъэпкъым апхуэдэ хуэхъуауэ къызолъытэ IутIыж Борис, — жиIащ Шыбзыхъуэм. Пшыхьым IутIыж Борис и «Фыкъеблагъэ, Зэрэгъыж» тхыгъэм щыщ пычыгъуэ «Нур» театр студием хэтхэм щагъэзэщIащ, «Нартхэм я дыгъэм» щыщ Iыхьи къызэхуэсахэм я пащхьэ гъэщIэгъуэну ирахьащ, Къулхэ Амиррэ Ланэрэ уэрэд зыбжанэ ягъэзэщIащ IутIыж Борис и псалъэхэр щIэлъу. Пшыхьыр зэрызэхуащIыжа «Зэрэгъыж» уэрэдыр театр теплъэ иIэу дахэ дыдэу ягъэуват Къул зэщхьэгъусэхэм. Iуэхум и жэрдэмщIакIуэхэмрэ абы и гъэзэщIакIуэхэмрэ фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид. И псалъэхэм я кIэухыу, Борис и усэ сатырхэм къыхина мы джэ псалъэхэр жиIащ Мэжид: «Зыхэдывгъалъхьи щымыIа лIыгъэ, ДыкъыщIэвгъэкIхэ зэрамыгугъэу!» Пхъум и псалъэ Республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ и Iуэху еплъыкIэмкIэ къыддэгуашэмэ ди гуапэу дэ зыхуэдгъэзащ IутIыж Борис ипхъу нэхъыщIэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат IутIыж Лалуцэ. — Зы псалъэкIэ, зы IуэхугъуэкIэ ди адэм утепсэлъыхьыну гугъущ, абы и дуней тетыкIар зэрыщыту дэркIэ щапхъэщ. Мы махуэхэм екIуэкI Iуэхухэм папщIэ фIыщIэ лей яхуэсщIыну сыхуейщ ар къызэзыгъэпэщахэм. Си гугъэщ и псэр щыгуфIыкIыну. Ди адэм и щIэиныр и унагъуэм и закъуэкъым зыхуэгъэзар, лъэпкъым зэрыщыту къытхуигъэнауэ къызолъытэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и унагъуэм хуэдэу ар и лъэпкъми хуэпсэуащ, абы и натIэ хъуамрэ и къэкIуэнумрэ егупсысу. Си кандидат лэжьыгъэр зытеухуар си адэм и гушыIэ тхыгъэхэрат. Абы селэжьын щIэздза иужькIэщ и куууагъымрэ щIэлъ щIагъыбзэмрэ нэсу къыщызгурыIуар. Псоми зэращIэщи, ди адэр цIыху гушыIэрейт. ГъащIэм и дахэрат нэхъыбэу илъагъур. ИтIанэ, ар щытхэкIэ, зэм гушыIэ, зэм тхыгъэ нэщхъей итхырт. «Си щхьэр зым ета мыхъун щхьэкIэ, гущIыхьэмрэ гушыIэмрэ зэблызодз», — жиIэрт. Ауэ щыхъукIи, абы сытри гушыIэм хуигъэкIуэжырти, я нэхъ жагъуэ пщыхъуа Iуэхури къыбдигъэпсынщIэрт, — жеIэ Лалуцэ. Щомахуэ Залинэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100005.txt" }
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Оперативнэ штабым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ Коронавирус узыфэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэгъэпса оперативнэ штабыр бадзэуэгъуэм и 15-м арэзы техъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн узым зыщыхъумэным хуэгъэза профилактикэ мардэхэм нэхъ ткIийуэ тетынымрэ вакцинэр Iэмалыншэу зыхалъхьэн хуей цIыхухэм мастэр хаIунымрэ теухуауэ къыхилъхьа жэрдэмхэм. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ республикэм эпидемиологие щытыкIэр зэрыщекIакIуэр: «Иджыпсту госпиталхэм цIыху 534-рэ щIэлъщ, абыхэм ящыщу 71-м реанимацэхэм щоIэзэ. Узыфэм иубыдхэм я бжыгъэм махуэ къэс хохъуэ, сабийхэри щIалэгъуалэри абы егъэсымаджэ, абыхэми узыр къехьэлъэкIыущ зэ- рапкърыкIыр. Дэ реанимацэхэм гъуэлъыпIэу щIэтым, кислородкIэ зэрагъэбауэ Iэмэпсымэхэр зэшэлIахэм я бжыгъэхэр нэхъыбэ дощI, сымаджэхэр здашэну адрей госпиталхэри я лэжьыгъэм худогъэхьэзыр. Узыфэр зыпкърыхьахэм икъукIэ гугъуущ ар зэращхьэщыкIыр, абы ихьхэри куэд мэхъу». «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ хъумэнырщ ди дежкIэ нэхъыщхьэр. Ди щхьэри ди Iыхьлыхэри узыфэм пэIэщIэ зэрытщIын Iэмал нэхъыфI дыдэу нобэкIэ щыIэр вакцинэр зыхегъэлъхьэнырщ икIи ар пIалъэ кIэщIым къриубыдэу зэфIэгъэкIын хуейщ, абыкIэ цIыху нэхъыбэ къызэщIэубыдауэ узыфэм зиубгъуныр къызэтедгъэувыIэн папщIэ», — къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэм. Мастэр Iэмал имыIэу зыхалъхьэн хуейхэм ящыщщ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр яхуэщIэным, сатум, къэрал, муниципальнэ IуэхущIапIэхэм, транспортым, егъэджэныгъэм, щэнхабзэмрэ узыншагъэр хъумэнымрэ, ЖКХ-м, ухуэныгъэм, туризмэм, цIыхухэм социальнэ я лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжыным пыщIа IэнатIэхэм, IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр. «Роспотребнадзор»-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и сайтым Оперативнэ штабым кърикIуахэм япкъ иткIэ къралъхьащ КъБР-м щыIэ Санитар дохутыр нэхъыщхьэм и унафэр, «Эпидемием епха щытыкIэм ипкъ иткIэ узыфэм ущызыхъумэ мастэхэр цIыху щхьэхуэхэм яхэлъхьэным теухуауэ» жыхуиIэр. «Республикэм эпидемиологие щытыкIэр щыщIагъуэкъым, — итщ дэфтэрым. — ЦIыху зэхуэсыпIэхэм щIэх-щIэхыурэ кIуэ, жылагъуэ транспортыр къэзыгъэсэбэп куэд сымаджэ хъуащ. Сымаджэ хъуахэм я нэхъыбапIэр (процент 71-р) лэжьэфыну ныбжьым итхэрщ — илъэс 18-м къыщыщIэдзауэ 60-м къриубыдэхэрщ. Зи тхьэмбыл узу къахутэхэми сымаджэщхэм ягъэгъуэлъхэми я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ». Къагъэлъэгъуа IэнатIэ псоми я Iэтащхьэхэм Унафэм яхуегъэув Урысей Федерацэм щащIу къэбгъэсэбэп хъуну къащта вакцинэм и япэ хэIугъуэр шыщхьэуIум и 10-м и пэ къихуэу, етIуанэ хэлъхьэгъуэр фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну. Унафэр ехьэлIакъым коронавирус узыфэм цIыхур щихъумэным хуэгъэпса вакцинэр зыхалъхьэ мыхъуну цIыху щхьэхуэхэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм чэнджэщ иратащ цIыхухэм мастэр яхэлъхьэным хуэунэтIа лэжьыгъэр къызэрагъэпэщыну.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100030.txt" }
Япэр IуагъэкIуэтами, къапэплъэри къазэрыщхьэщыкI щыIэкъым «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — 3:2 (2:0). Налшык. «Спартак» стадион. Бадзэуэгъуэм и 18-м. ЦIыхуи 150-рэ еплъащ. Судьяхэр: Иваненков (Ставрополь), Ешак (Сочэ), Сафаров (Сальск). «Спартак-Налшык»: Антипов, Мэкъуауэ, Шумахуэ З., Ольмезов, Сындыку, Дэхъу, Шумахуэ И., Багъэтыр (Ашуев, 67), ХъутIэ, Бахъсэнокъуэ, ЛIуп. «Динамо»: Хамхоев, Ибрагимов, Гитинов, Халимбеков, Красильниченкэ, Кагермазов, Юсупов, Агаларов, Гаджиев, Абдурагимов, Бигулаев. Топхэр дагъэкIащ: Багъэтырым, 14 (1:0). Багъэтырым, 43 (2:0). Гитиновым, 67 (2:1). ХъутIэм, 75 (3:1). Халимбековым, 77-пенальтикIэ (3:2). Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэр темыпыIэжу пэплъэрт «Спартак-Налшыкыр» утыку къыщихьэжынум. Мазэрэ ныкъуэрэ ипэкIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 — 2021 гъэхэм я зэхьэзэхуэр зэриухрэ абы зэхъуэкIыныгъэ куэд къыщыхъуат: ди щIалэ лъэрызехьэ зыбжанэ, я капитаныр я пашэу, хэкIыжат, тренер нэхъыщхьэуи Биджиев Хьэсэнбий ягъэувыжат. АрщхьэкIэ гупым и зэфIэкIыр нобэ здынэсымрэ зызыхуагъэсахэмрэ ямыгъэбелджылауэ зэхьэзэхуэм хыхьэн хуей хъуащ, зы зэныбжьэгъугъэ зэIущIи ирагъэкIуэкIыну хунэмысауэ. Джэгум хэтхэм я унэцIэхэр дикторым къыщриIуэм стадионым къэкIуахэм икъукIэ гуапэ ящыхъуащ «Спартак-Налшыкым» уей-уей щыжригъэIа лъэхъэнэм хэта гъуащхьауэ ЛIуп Ислъам къызэригъэзэжар. Абы пщIэ лей зэрыхуащIым и щыхьэтщ гупым и капитану щытыну занщIэу дзыхь зэрырагъэзар. КъищынэмыщаIуэ, гъуащхьэхъумэ Шумахуэ Заур и къуэш Идар Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-м къыхашри, зэанэкъилъхухэр зэгъусэу хъужат. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм къыщыхэлыдыкIащ Багъэтыр Альберт. Джэгум и епщыкIуплIанэ дакъикъэм жыжьэу щыту абы бжыгъэр къызэIуихащ. ИужькIэ, загъэпсэхуну икIыным куэд къэмынэжауэ, етIуанэ топри хьэщIэхэм яхудигъэкIри, ди щIалэхэм тегушхуэныгъэ ин яхилъхьащ. ЕтIуанэ Iыхьэми «Спартак-Налшыкым» и тепщэныгъэкIэ къыщIидзащ. АрщхьэкIэ 67-нэ дакъикъэм хьэщIэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр зыIэщIагъэкIащ икIи бжыгъэр 2:1-м хуагъэкIуащ. Налшыкдэсхэм я жэуапым куэдрэ пагъэплъакъым. 75-нэ дакъикъэм Ольмезов Артур Iэзэу къыхита топым ХъутIэ Анзор щхьэкIэ лъэщу еуэри, хэгъэрейхэм я Iуэхур игъэтэмэмыжащ. Абы мащIэу игъэбэлэрыгъа ди щIалэхэр аргуэрэу бэлыхь хэхуэ пэтащ — «Динамо»-м и ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зыр футбол хабзэм къемызэгъыу къызэпаудри, пенальтикIэ топ къыхудагъэкIащ. Джэгур иухыным иджыри дакъикъэ пщыкIутхум хуэдиз иIэжщ, бжыгъэр 3:2-ти, дапщэщи зихъуэжыфынут. Ар фIыуэ къызыгурыIуа «Спар-так-Налшыкым» и футболистхэр адэкIэ хуабжьу сакъащ. Абыхэм я гъуэм ихъуреягъыр кърагъэбыдэкIам и закъуэкъым, атIэ топ зытIущ иджыри дагъэкIыфыну щытащ. АрщхьэкIэ апхуэдэуи кубокым щыкIуэтэну Iэмал ягъуэтащ. Арати, тренер нэхъыщхьэ Биджиев Хьэсэнбийрэ гъуащхьауэ лъэрызехьэ ЛIуп Ислъамрэ я къэгъэзэжыныгъэр угъурлы гупым яхуэхъуащ. Урысей Федерацэм и кубокыр 2022 гъэм къэхьыным теухуауэ зэхаубла зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ зэIущIэм ахэр щытекIуащ. Иджы, бадзэуэгъуэм и 28-м, финалым и 1/128-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэм «Спартак-Налшыкым» хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъунущ Мэхъэчкъалэ и «Легион-Динамо»-р. Дагъыстэным и къалащхьэм и зы командэр Налшык щыхагъэщIат, адрейм хьэщIапIэ кIуауэ дауэ хуэхъунуми мыгувэу къэтщIэнщ. Абы и пэ къихуэу Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым зэхьэзэхуэр щызэхаублэнущ. Бадзэуэгъуэм и 24-м Дон Iус Ростов къалэм «Спартак-Налшыкым» пэщIэдзэ зэIущIэр щIыпIэ СКА-м щыдригъэкIуэкIынущ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100034.txt" }
Еянэм щызэдолъэпэрапэ Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм футболымкIэ я чемпионатым и еянэ джэгугъуэм къыщыхагъэщIащ пэщIэдзэ зэIущIиблми щытекIуарэ зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызэдэзыIыгъ Прохладнэ и «Энергетик»-мрэ Нэзрэн и «Ангушт»-мрэ. АрщхьэкIэ абыхэм бжьыпэр зэдаутIыпщакъым. Ди щIалэхэр кърагъэкIуэтащ Дон Iус Ростов и ермэлыхэм. Абыхэм я «Нахичевань» командэр иужь джэгугъуитхум зыми къыщыхигъэщIэфакъым икIи, а лъэхъэнэм плIэнейрэ щытекIуэри, бжьыпэр зыIыгъхэми гъунэгъу закъыхуищIащ. Прохладнэ и «Энергетик»-м абы къыхудигъэкIа топитIым зэ фIэкIа жэуап иритыфакъым. Дыдейхэм къахэжаныкIар Тэтэр Исмелщ. «Ангушт»-ри къыщызэтрагъэувыIащ Къалмыкъым и къалащхьэм. Абы папщIэ щIыпIэ «Уралан»-р зы топ закъуэми ирикъуащ. Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм футболымкIэ я чемпионатым ебланэу къыщыхэжаныкIа Иуан Азрэт гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр зэрыщиIыгъщ. Абы топ зырызкIэ къыкIэроху «Ангушт»-м щыджэгухэу Алиев Бэчхъанрэ Дон Iус Ростов и «Нахичевань»-м и пашэ Багданов Романрэ. АдэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ иужьу зэхэта джэгугъуитIым къарикIуа бжыгъэхэм: бадзэуэгъуэм и 7-м — «Нахичевань» (Дон Iус Ростов) — «УОР-Дагестан» (Каспийск) — 2:0, «Энергетик» (Прохладнэ) — «Волгарь-Ю» (Астрахань) — 3:0 (топхэр дагъэкIащ Бажэ Амир, Урыс Аслъэн, Иуан Азрэт сымэ), «Ангушт» (Нэзрэн) — «Динамо-Дагестан» (Мэхъэчкъалэ) — 5:1, «Динамо-М» (Мэхъэчкъалэ) — «Уралан» (Элиста) — 1:1, «Дербент» (Дербент) — «Астрахань» (Астрахань) — 1:1; бадзэуэгъуэм и 14-м — «Нахичевань» — «Энергетик» — 2:1, «Уралан» — «Ангушт» — 1:0, «Волгарь-Ю» — «Дербент» — 1:2, «УОР-Дагестан» — «Динамо-Дагестан» — 0:3, «Астрахань» — «Динамо-М» — 0:3. Бадзэуэгъуэм и 22-м Нэзрэн къалэм щызэIущIэнущ зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызэдэзыгуэш щIыпIэ «Ангушт»-мрэ Прохладнэ и «Энергетик»-мрэ. Къаудыгъу Заур.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100036.txt" }
«Лъэпкъым и лъэужьхэр» БлэкIам кIэлъыплъыжыну, къэкIуэнум хукъуэплъыну гукъыдэж зиIэхэм Iэмал яIэщ «Лъэпкъым и лъэужьхэр» («Следы нации») тхыдэ—щэнхабзэ проектыр зыгъэхьэзырахэм къыхалъхьа зэпеуэхэм — «Сценарии будущего», «Хранители этносов» — я зэфIэкI щеплъыжыну. Ар зи жэрдэмыр «Молодой мир» жылагъуэ зэгухьэныгъэрщ. Зэпеуэхэр къыхэзылъхьахэм я дэIэпыкъуэгъущ «Ной Фильм» кинокомпаниер. Зэхьэзэхуэхэм хэт хъунущ зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуахэм щыщIэдзауэ гупыж зыщI дэтхэнэри. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я дежкIэ зэпеуэхэр зытраухуа Iуэхугъуэхэр ди нобэрей зэманым поджэж, сыту жыпIэмэ зэманым дыдэбакъуэурэ къытпэплъэр зэдгъэщIэну дызэрыхущIэкъур, дыщалъхуа щIыналъэм, абы лIэщIыгъуэкIэрэ къыдекIуэкI тхыдэ къулейм, бзэ, щэнхабзэ, хабзэ телъыджэхэм яхудиIэ лъагъуныгъэр республикэм ис лъэпкъхэм ди гупсысэм я лъабжьэщи. КъищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щагъэнэIуэфынущ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтагъащIэ е абы хуэIэижь журналистхэм, сценаристхэм, литераторхэм, цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм, дизайнерхэм, лъэпкъ фащэхэм я тхыдэм дихьэххэм. «Следы нации» лэжьыгъэр къыхэзылъхьахэм я мурад нэхъыщхьэр къэрал, лъэпкъ зэмылIэжьыгъуэ- хэм щыщхэм я зэхуэдэ лъапIэныгъэхэр къагъэлъэгъуэнырщ, мамырыгъэ я зэхуаку дэлъу, я дзыхь зрагъэзу къызэдэгъуэгурыкIуэнырщ. Программэм хохьэ щэнхабзэ, тхыдэ, бзэ къэхутэныгъэхэр, лъахэхутэ экспедицэхэр, зэхуэсхэр, зэпеуэхэр, фестивалхэр. «Сценарий будущего» зэхьэзэхуэр лIэужьыгъуэ зыбжанэ мэхъу: «Сценарий будущего» (илъэси 100 дэкIмэ, къытпэплъэр зэралъагъум теухуа тхыгъэ), «Художественнэ фильмым и сценарий», «Документальнэ фильмым и сценарий», «Репортажым и сценарий», «Социальнэ нэтыным и сценарий», «Телевиденэ шоум и сценарий», «Нэгузыужь программэм и сценарий», «Квестым и сценарий», «ХъыбарегъащIэм и сценарий щIэщыгъуэ». КъызэгъэпэщакIуэхэм къыхагъэщащ лэжьыгъэхэм «ухэту» къыпщызыгъэхъу Iуэхугъуэхэм гулъытэ хуащIын зэрыхуейр. Сценарийм и фIагъырщ зэлъытэжар лэжьыгъэм и режиссёр, актёр хъунухэр, проектым къыпэкIуэну мылъкур. «Хранители этносов» дунейпсо проектым лIэужьыгъуитху къызэщIеубыдэ: «Фэилъхьэгъуэхэр», «ЦIугъэнэхэр», «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я Iэмэпсымэхэр», «Саугъэтхэр», «Фильм е репортаж». Зэхьэзэхуэм ягъэхьыну дэтхэнэ Iэмэпсымэри езыр-езыру я IэкIэ ягъэхьэзырыжауэ щытыпхъэщ. КъищынэмыщIауэ, зэпеуэм хэтхэм репортаж ягъэхьэзырын хуейщ, лъэпкъ мащIэхэм я щыIэкIэ — псэукIэм теухуауэ. КъэпщытакIуэхэм зи лэжьыгъэхэр пхагъэкIхэм зэхьэзэхуэм зэрыхэтам щыхьэт техъуэ тхылъхэр иратыжынущ. Проектым теухуа тхыгъэхэр евгъэхь икIи абы теухуа тхыгъэхэм нэхъ куууэ зыхэвгъэгъуазэ хъунущ мы дгъэнаIуэмкIэ: https://tracesofnations.org/kon/scripts—of—thefuture/, https://tracesofnations.org/kon/guardians—of—ethnoses/. БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100040.txt" }
Анэдэлъхубзэр зыджхэм я дэIэпыкъуэгъуу Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, Шапсыгъым и Агуей къуажэм щылажьэ студиехэм гупыж ящIри, смартфонхэм папщIэ ягъэхьэзыращ «Гухэлъ» («Gukhel») гуэдзэн щхьэпэр, анэдэлъхубзэм и дахагъэр ягъэIунымрэ ар хъумэнымрэ хуэгъэпсауэ. Аудио тхылъхэр щызэхуэхьэса гуэдзэныр гупыж зыщI дэтхэнэми пщIэншэу жып телефоным тригъэтхэну Iэмал иIэщ. Абы адыгэбзэм и диалект лIэужьыгъуэхэмкIэ (къэбэрдей, бжьэдыгъу, кIэмыргуей, шапсыгъ), урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ къеджэу щызэхуахьэсащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ къэрал институтым и академическэ къыдэкIыгъуэхэм хыхьэ нарт хъыбархэр («Сосрыкъуэ мафIэ къызэрихьыжар», «Ашэмэз и бжьамийр», «Мэлэчыпхъу къехъулIахэр»), таурыхъхэр, псысэхэр, усэхэр, цIыхубэ уэрэдыжьхэр, гущэкъу уэрэдхэр. ЗэкIэ абы къыщыбгъуэтынущ лъэпкъ IуэрыIуатэм и дыщэ пхъуантэм щыщ тхыгъэ 200-м щIигъу. КъызэгъэпэщакIуэхэм абы и бжыгъэм кIуэ пэтми хагъэхъуэну я мурадщ. Тхыгъэхэм къеджэр республикэхэм я артист пажэхэрщ. Мы проектым адыгэхэр щыпсэу дэнэ щIыналъэми щIэупщIэшхуэ щиIэну, анэдэлъхубзэр макъамэ дахэу зэрыIум лъэпкъыр нэхъри зэкъуигъэувэну къалъытэ. — ЦIыхум я гум дыхьэн, балигъхэми сабийхэми яхуэщхьэпэн лэжьыгъэ бгъэхьэзырыныр куэд и уасэщ! Илъэс ныкъуэм къриубыдэу мы проект гъэщIэгъуэным елэжьахэм къалэн зыщытщIыжауэ щытар бзэм худиIэ лъагъуныгъэр къэдгъэлъэгъуэнырщ, — жеIэ «Къэрэкъан» студием и унафэщI Къущхьэ Оксанэ. — Лъэпкъым и блэкIам зыхагъэгъуазэурэ щIэблэм анэдэлъхубзэр яджыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, бзэм къыдэкIуэу тхыдэми гулъытэ хуащIри. — Ди адыгэбзэ дахэр, къулейр хъумэным хэлъхьэныгъэ хуэсщIыныр сэркIэ пщIэшхуэщ икIи къызэдаIуэхэм я деж тхыгъэм и купщIэр гурыIуэгъуэу зэрынэсхьэсыным сыхущIокъу, — пещэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ. — Дэтхэнэ зы адыгэми, псом хуэмыдэу анэдэлъхубзэкIэ псэлъэн щIэзыдзагъащIэ сабийхэм я дежкIэ, «Гухэлъ» проектым мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЩIэблэм яхуэгъэза, жэуаплыныгъэ зыпылъ лэжьыгъэ щхьэпэхэм схузэфIэкI хэслъхьэну сфIэфIщ, — жеIэ Мысост Вадим. Гу зылъытапхъэ: Къущхьэ Оксанэ зэрыжиIэмкIэ, гуэдзэным хагъэхьэну пасэрей гущэкъу уэрэдхэр нобэ зыгъэзащIэр мащIэ дыдэщ. Абы къыхэкIыу республикэм и къуажэхэм, жылэхэм гущэкъу уэрэдхэр жызыIэ нанэ-дадэхэр дэсмэ е апхуэдэ уэрэдхэр гукIэ зыщIэж щыIэмэ, я студием фрегъэблагъэ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100042.txt" }
Лэжьыгъэр щызэпыуркъым Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым лэжьыгъэр зэпымыууэ щекIуэкIыу зы щIэныгъэ лъэщапIэ гъэщIэгъуэн иIэщ — щIыуэпсым и музейм геологие хуэIухуэщIэхэмкIэ и къудамэр. Къызэрызэрагъэпэщрэ куэд мыщIами, абы и къэхутэныгъэхэм щIэупщIэ яIэщ, иригъэкIуэкI лэжьыгъэм пщIэ игъуэтащ. Къудамэм и унафэщI Шамаринэ Иринэ зэрыжиIэмкIэ, щIыуэпсым и музейм и лэжьыгъэр къызэрыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэ къудейкъым зытещIыхьар, абдеж къыщыхалъхьэ сыт хуэдэ теплъэгъуэри щIэныгъэм и зы хэхыпIэщ, химиемрэ биологиемрэ зэзыпх къэхутэныгъэхэм я къэкIуапIэщ. «ЩIыуэпсым и музейм 2018 гъэм лэжьэн щIидзащ, — жеIэ Шамаринэ Иринэ, — «КъБКъУ-м и Ботаникэ жыг хадэ» еджапIэ-щIэныгъэ центрыр зи къежьапIэ, абы иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зи Iуэхум и лъабжьэу щыт ди музейр щIэныгъэ-къэхутакIуэ, еджэныгъэ-методикэ, щIэнхабзэ-узэщIакIуэ IуэхущIапIэу къогъуэгурыкIуэ, и къалэн нэхъыщхьэри бгылъэхэм къыщIах мывэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ минералхэмрэ зэхуэхьэсынырщ, хъумэнырщ, джынырщ, гъэлъэгъуэнырщ. Музейм и щхьэхуэныгъэхэм ящыщщ абы и лэжьыгъэр еджэныгъэм гуэх имыIэу пыщIауэ зэрыщытыр, химиемрэ биологиемкIэ къудамэхэм курс щхьэхуэхэр къыщызэрагъэпэщрэ абыхэм къызэщIаубыдэ Iуэхугъуэ куэдыр ди музей гъэтIылъыгъэхэр щапхъэу щагъэлъагъуэкIэрэ щызэпкърахыу. Абы и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, ди университетым иIэ Iэмалым хуэдэ зыбгъэдэлъ еджапIэ куэд щыIэкъым. Ди щIыналъэм и щIыуэпсым и щхьэхуэныгъэхэм я тхыдэр джынымрэ къэхутэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ геологие, геоморфологие, палеографие щIэныгъэхэр, жьэрыIуатэ къудей мыхъуу, нэрылъагъуу еджакIуэхэм ябгъэдэтлъхьэну Iэмал хъарзынэхэр диIэщ. Абы къищынэмыщIауэ, щIыналъэм и пкъымрэ зэрызэхэлъымрэ къэзыхутэ географие щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыбджыфынущ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт ди музей гъэтIылъыгъэхэм бгылъэхэм къыщIах, жьымрэ псымрэ япхъэха мывэ лъэпкъыгъуэхэр, щIым хыхьэу зи уней нэщэнэхэр зыхъуэжа мывэ зэмылIэужьыгъуэхэр, щIымафIэм къызыхидза мывэ зэхуэмыдэхэр къызэрыщыгъэлъэгъуар, зэрызэхэлъкIи къызэрыхъуакIи зэрызэхуэмыдэм гъэщIэгъуэнагъ куэд къазэрылъыкъуэкIым къыхэкIыу щIыпIэ жыжьэхэм къикIыурэ ахэр къызэрахутэр, зэрызэрагъащIэр. Ди музейр КъБКъУ-м химиемрэ биологиемкIэ и институтхэм я щIэныгъэ лэжьыгъэм куууэ зэрыхэпщIам и мызакъуэу, еджакIуэхэми Iэмал ярет а мывэхэмрэ минералхэмрэ къэхутэныгъэхэр драгъэкIуэкIыну, методикэ и лъэныкъуэкIэ щIэгъэкъуэн яхуохъу, щIэныгъэ унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм дедгъэхьэхыу ахэр куууэ щрагъэдж центрхэм щапытщIэфри мащIэкъым. Апхуэдэу, музейм щIэх-щIэхыурэ къыткIэлъокIуэ ди щIыналъэм и географиер курыт еджапIэхэм щезыгъэдж егъэджакIуэхэр, абыхэм я гъукIэгъэсэнхэм щхьэкIэ IэщIагъэм хуэзыунэтI Iуэхугъуэхэри къызыдогъэпэщ». Музейм и лэжьыгъэм дихьэхауэ тепсэлъыхь Шамаринэ Иринэ къыхигъэщащ дунейм зэрехыжрэ куэд мыщIа щIэныгъэхутэ телъыджэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат Емуз Людмилэ и цIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсым теухуа музейм и гъэтIылъыгъэхэм я курыхыр зэзыгъэпэщар аращ. Музейм зиубгъуным, щIэныгъэ унэтIыныгъэ игъуэтыным щхьэусыгъуэфI хуэхъуар абы Кавказышхуэр къызэхикIухьурэ иригъэкIуэкIа геологие щIэныгъэ зекIуэхэм, практикэхэм къриха хъугъуэфIыгъуэхэрщ. Емуз Людмилэ КъБР-м и щIыналъэ географием хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэр къыхощ дэтхэнэ зы мывэ лIэужьыгъуэми минерал лъэпкъыгъуэми я фIэщыгъэр, къыздикIар, и уней нэщэнэхэр, и хьэлъагъ-псынщIагъым, химие и лъэныкъуэкIэ зэрызэхэлъыр зыубзыху тхыгъэ зэрыхуищIыжам. Музейм и лэжьыгъэр абы куэдкIэ игъэпсынщIащ. Музей гъэтIылъыгъэхэм ноби зэпымычууэ къахохъуэ. Мызыгъуэгум ар нэгъуэщI зы Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн йолэжь — цилиндр теплъэ яIэу щIы яубрууам къыщIэкI мывэ лъэпкъ быдэхэр, щIэныгъэр «керн»-кIэ зэджэр, къахутэ, лъэпкъыгъуэхэр зэхагъэкI. Зэ еплъыгъуэкIэ къызэрыгуэкI мывэ лIэужьыгъуэу къэлъагъуэми, щIым и ныбжьри, къат-къатурэ зэтелъ щIыгулъым и зэхэлъыкIэри кърипхутэну ар Iэмал гъуэзэджэщ. Музейм и лэжьыгъэр зэи зэпыуркъым, дыкъэзыухъуреихь дунейм и ублапIэр теплъэгъуэрэ пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ егъэлъагъуэ, и щэхухэр къетIэщI. ШУРДЫМ Динэ.20
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100045.txt" }
Зи чэзу къыдэкIыгъуэм фыкъыщеджэ Иджыблагъэ дунейм къытехьащ «Iуащхьэмахуэ» журналым и ещанэ номерыр. Адрейхэми хуэдэу, щхьэж фIэгъэщIэгъуэнын тхыгъэ мыбыи къызэрыщагъуэтынум шэч хэлъкъым. Журналыр къызэIуех къызэралъхурэ илъэсищэ ирикъуа тхакIуэ цIэрыIуэ Нало Ахьмэдхъан и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ къызэщIэзыкъуэ «Урыху акъужькIэ псыхьа тхакIуэпсэ» тхыгъэм, Хьэвжокъуэ Людмилэ и къалэмыпэм къыщIэкIам. Ахьмэдхъан хужаIа псалъэ гуапэхэр, абы и творчествэм, и тхакIуэ дунейм хуа-щIа гулъытэр къэзыгъэлъагъуэхэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, мащIэкъым. Ахэращ къыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIхэм укъызыщеджэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, «Тхыдэр и лъабжьэу» зи фIэщыгъэу Къэжэр Хьэмид итхыгъам гупсэхуу и гугъу щыщIащ «Нэхущ шу» романым. ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Сокъур Мусэрбий, Шэвлокъуэ Пётр, МэшбащIэ Исхьэкъ, Къэрмокъуэ Хьэмид, Мусукаевэ Анжелэ, Къэмбэчокъуэ Iэдэм сымэ я тхыгъэ кIэщIхэм къыхощ абыхэм Налор фIыуэ яцIыхуу, и гуащIэм пщIэ хуащIу зэрыщытар. АдэкIэ щIэджыкIакIуэхэр къыщеджэнущ Ахьмэдхъан и тхыгъэ нэхъыфIхэм ящыщ «Нэхущ шу» романым щыщ пычыгъуэ. Мэкъуауэгъуэ мазэм и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирикъуащ усакIуэ Мыкъуэжь Анатолэ. Хьэвжокъуэ Людмилэ «ГуфIэгъуэм теухуа уэрэд нэщхъей» зыфIища тхыгъэм щызэпкърыхащ усакIуэм и творчествэр. Абы дыщIигъуми ярейуэ къыкIэлъокIуэ БищIо Борис «И гупсысэр куурэ и псалъэр шэрыуэу» зыфIища тхыгъэр. Мыкъуэжь Анатолэ хужаIахэм щыщ пычыгъуэхэращ адэкIэ дыкъызыщеджэр. Апхуэдэу усакIуэм и гуащIэм гулъытэ хуэзыщIахэр куэд дыдэ мэхъу, псалъэм папщIэ, Тхьэгъэзит Зубер, Къагъырмэс Борис, IутIыж Борис, КIэщт Му- хьэз, Къэрмокъуэ Хьэмид, Къэжэр Хьэмид, Мэзыхьэ Борис, Бещтокъуэ Хьэбас, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэри. Уи гур игъэпсэхурэ уи псэр игъэтыншу къыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIхэм укъыщоджэ Мыкъуэжь Анатолэ и усэ купщIафIэ-хэм. Зи гугъу тщIа тхыгъэхэр зыщIэт «ЖьантIэ» рубрикэм къыкIэлъокIуэ «Прозэ» Iыхьэр. Ар мызыгъуэгукIэ зыхухэхар «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Чэрим Марианнэ и романщ. «ЛIы иримыкъу» зыфIища тхыгъэшхуэм и япэ Iыхьэр журналым и етIуанэ номерым тетащ. «Публицистикэ» рубрикэм щIэтщ Хэку зауэшхуэм теухуа тхыгъэхэр. НэщIэпыджэ Замирэ и «НэщIэпыджэ зэкъуэшищыр» лъэпкъым щыщу Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьа зэанэкъилъхухэм ятеухуащ. Бэгъэтыр Луизэ и IэдакъэщIэкIыр и анэшхуэ Кубра и гъащIэ гугъур къыщыгъэлъэгъуэжа тхыгъэ щIэщыгъуэщ. Журналым и лэжьакIуэхэр сытым дежи яужь дитщ сабийхэр гулъытэншэ зэрыдмыщIыным. Аращ Гримм зэкъуэшхэм я таурыхъхэм ящыщу Нало Заур зэридзэкIахэр къыщIэтIэтыжар. «Iуащхьэмахуэм» тету зи гугъу тщIа тхыгъэ псоми къыщыIуэтахэр нэхъ нэIурыт хъун папщIэ сурэтхэр куэду ящIыгъущ. КъыдэкIыгъуэр зэхуещIыж псэлъэжьу зэхэлъ псалъэзэблэдзым. ИСТЭПАН Залинэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретарь.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100048.txt" }
Бабыкъу Алым-Джэрий и къуажэ Шахэ псышхуэм и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ Беикъуэпсрэ Бушийрэ къыщыхэлъадэкIэ, а щым я зэхуаку къыщыунэху хуей зэхуэщимэ-зэпэплIимэм итщ ар. ФIЭЩЫГЪЭР языныкъуэхэми «Бабыкъуэ» унагъуэцIэм къытехъукIауэ къалъытэ, мыдрейхэми ар «Бабыкъу» цIыхухъуцIэм къытепщIыкIауэ жаIэ. Урыс-Кавказ зауэм и кIэхэм Шахэ и псыхъуащхьэ-хэр и хэщIапIэт къущхьэрыс (бгырыс) убыххэм я дзэпщ нэхъ пажэхэм хабжэу къекIуэкIа, Бэрзэдж лIакъуэм щыщ, хьэжы Бабыкъу Алым-Джэрий. ЗэпэщIэувэныгъэ кIыхьым икIи хьэлъэм и иужьрей илъэсхэм пащтыхьыдзэхэм мы щIыпIэм щыпхраша «Убых кордон линие» зыфIащами мыбдежыр и кIэухт. 1864 гъэм мэлыжьыхьым и 14-м Бабыкъу къуажэм и Iэгъуэблагъэм щызэрихьэлIэгъащ зы пIалъэм къриубыдэу убыххэм я щIыналъэм къизэрыгуа пащтыхьыдзэхэм ящыщу 3-р: Дыгъэмыс лъэныкъуэмкIэ къикIа дзэ пакIэу генерал-майор Гейман зи Iэтащхьэр, къущхьэщIыб лъэныкъуэмкIэ (Псыжь здэщыIэ тафэмкIэ) щежэх Пщыхьэ и къуэладжэм къыдэкIыу, къуршхэм къащхьэпрыкIа, генерал-майор Граббе Николай зи пашэ гупымрэ Да-хэ псыхъуэр Урысейм къыхуэзызэуа дзэмрэ («Даховский отряд»). КъызэдебгъэрыкIуа урысыдзэхэм езы Бабыкъу хьэжыр япежьэн хуей хъуащ, и жылэхэр бийм зэтримыгъэгъэсхьэн папщIэ. А Iуэхугъуэр езы убыххэм къазэрыхуэщхьэпэжа щIагъуэ щымыIэми, зи гугъу тщIы къуажэм къыдэна псэупIэхэр езы урысхэм иужьым къагъэсэбэпыжащ: дзэ гуэдзэм къадэкIуа лъэсыры-кIуэ батальон псо «щIагъэзэгъащ». ЗэрыпхъуакIуэхэм я нэгу къыщIэува унэхэр я теплъэкIэ телъыджэт: зыхэгъэпщкIухьа жыг хадэхэм ахэр адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхэлъагъукIырт, уэрам хэгъэунэхукIа гуэри я зэхуаку дэмыту. Адрей псоми къахэщхьэхукIырт, гу лъумытэнкIэ Iэмал зимыIэу, езы Бабыкъу хьэжым къатитIу зэтет и псэупIэ дэгъуэр — зи унащхьэр пхъэбгъу зыкъизыххэмкIэ зэщIэIулIар («Кавказ» журнал, 1868 гъэ, Невский Павел: «Закубанский край в 1864 г.», 97-нэ напэкIуэцI). Бабыкъу къуажэ деж ноби ущрохьэлIэ гъуаплъэрэ гъущIрэ къыщыщIаIущIыкIыу щыта, гъуэжлау теплъэ зиIэ лъэщапIэжьхэм. Iэгъуэблагъэм щыплъагъунущ мы щIыпIэм щыпсэуахэм зи гугъу тщIа лIэужьыгъуэхэр щагъэткIу-щагъэвыжу къадекIуэкIа щIытI абрагъуэхэри. Абыхэм иджыри къыздэсым къыщIагъуатэ гъуаплъэ, гъущI пкъыгъуэхэм я пыдзахуэ зэхуэмыдэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, мыбы хуэдэ пасэрей къыщIэхыпIэхэмрэ лъэщапIэжьхэмрэ адыгэ-абазэ-убых лъэпкъ зэрыбыныр ижь-ижьыжкIэрэ зэрыса адрей бгылъэ щIыналъэхэми дазэрыщрихьэлIэр. Адыгэ Республикэм щыщ, щIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ дихьэх щIэныгъэлI цIэрыIуэ Мерэтыкъуэ Къасым щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Бабыкъу къуажэр здэщыт щIыпIэм хуэгъэзауэ адыгэхэм нэхъапэм «Инал и кIей» фIэщыгъэри къагъэсэбэпу щытащ. Мерэтыкъуэм зэрыхуигъэфащэмкIэ, а псалъэхэр етпх хъунущ Инал пщышхуэм, лъэхъэнэ жыжьэу блэкIам адыгэ лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэфауэ щытам, и цIэм. 1866 гъэм Шахэ и псыхъуащхьэхэр къиплъыхьат щIыналъэр зыIэщIэзыгъэхьа урыс пащтыхь администрацэм къызэригъэпэща комиссэм. А зэманым абы игъэхьэзыра «дэфтэрым» къызэрыщыгъэлъэгъуэжамкIэ, «Бабук-аул» (Бабыкъу къуажэ) зыфIаща щIыпIэ пхыдзар Беикъуэрэ Бушийрэ Шахэ щыхэлъэдэжым деж къыщыунэху хытIыгу ныкъуэщ. Ар щимэ щIыкIэу псищым я зэхуакум «дэубыдащ», щIы къатитIуи зэтетщ. Зи гугъу тщIа комиссэр щыхьэт зэрытехъуэмкIи, ищхьэ сэтейм и кум хуэзэу псей абрагъуэхэр зэгуэрым итыгъащ, дэтхэнэми и щхьэкIэр метр 50-м нэблагъэкIэ щIым щхьэщыIэтыкIауэ. Жыг гуэрэныр ТхьэщIагъ мэзу къалъытэрт икIи абдежым адыги, абази, убыхи щызэхуэсырт, махуэшхуэ тхьэлъэIухэр щызэдаIэту. Мыбдежыр ижькIэрэ и къежьапIэщ ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Щхьэгуащэ щхьэдэхыпIэм ноби ухуэзышэ шу-лъэс лъагъуэм. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100051.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэ школакIуэ ныбжьыщIэхэр егъэгуфIэ. Сурэтыр Шпанагель Эткар трихащ. 1984 гъэ И фэеплъыр яхъумэ Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэм (1934 — 1997 гъгъ.) и гъащIэр щIэныгъэ Iуэхумрэ политикэмрэ теухуауэ щытащ. А тIумкIи абы зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъащ, нэхъыщхьэращи, цIыхугъэ хэлъар нобэми ящыгъупщэркъым. Ленинград къэрал университетым и юридическэ факультетым щIэсу (1952 — 1957 гъэхэм), Къалмыкъыр гъунэгъу яхуэхъуащ а зэманым хабзэр зыджу щыта цIыху цIэрыIуэхэу Черепахин Борис, Толстой Юрэ, Иофф Олимпиад сымэ. Ахэр псори зэгъунэгъу зыщIыр иужькIэ Къалмыкъ Юрэ гулъытэ ин зыхуищIыжа, урысей юрист нэхъ пашэхэм ящыщ Кони Анатолий и лэжьыгъэхэрт. Абыхэм я лъабжьэр законыр къыщыбгъэсэбэпкIэ лъэныкъуэ гуэрым и телъхьэу укъэмыуву, пэжым утетынырт — арат Къалмыкъми гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз районым и цIыхубэ хеящIэу илъэситIкIэ щылэжьауэ, ар Саратов дэт юридическэ институтым и аспирантурэм щIэтIысхьэжащ икIи илъэсищ дэкIри, а еджапIэ дыдэм граждан правэмкIэ и кафедрэм щылэжьэн щIидзащ. Ассистент къулыкъум къыщыщIэдзауэ унафэщIым деж щыщIэкIыжу, Къалмыкъыр абы илъэс 27-кIэ щылэжьащ. А зэманым къриубыдэу абы щIэныгъэм и доктору, кандидату пщIы бжыгъэхэр къыщIигъэкIащ, езым щIэныгъэ лэжьыгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэм-кIэ, Урысейм и мызакъуэу, Совет Союзым хэта адрей республикэхэми къыщацIыхуат. Абы и студентхэмрэ аспирантхэмрэ иджыпсту щолажьэ Къэзахъстанми, Таджикистанми, Узбекистанми, Украинэми, Белоруссиеми. Къалмыкъым и кандидат, доктор лэжьыгъэхэр щIалэ дыдэу зэрыпхигъэкIыфам емылъытауэ, къэралым граждан правэмкIэ зэфIэкI яIэу нэхъ цIэрыIуэу ис IэщIагъэлIхэм и цIэр бгъурагъэувэ хъуат. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, Грибанов Вениамин (МГУ), Красавчиков Октябрь (Свердловск юридическэ институт), Басин Брий (Къэзахъ къэрал университет), Ойгензихт Виктор (Таджик къэрал институт) сымэ. Политикэм зэрыхыхьар Къалмыкъым къилъытэрт зэрымыщIэкIэ къэхъуа Iуэхуу. АрщхьэкIэ зи Iуэхум къызэрымыкIуэу хэзыщIыкI, лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу, зыхэтым пэжагърэ IущыгъэкIэ къахэщ Юрэ а гъуэгуанэм щхьэбжыгъэ къудейуэ техьатэкъым. Ар щылажьэ еджапIэ нэхъыщхьэм СССР-м и цIыхубэ депутат хъун гуэр къигъэлъэгъуэну хуитыныгъэ щратым, зи дзыхь зрагъэзар Къалмыкърат. 1989 гъэм гъатхэпэм и 26-м ар СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату хахащ. А гъэ дыдэм и накъыгъэм цIыхубэ депутатхэм ирагъэкIуэкIа япэ зэхуэсым СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм зэхуэдэ хуитыныгъэхэр зиIэ палатитI хахащ, зым хыхьащ Къалмыкъыр — ар законодательствэмкIэ, законым тетынымрэ хабзэхэр хъумэнымкIэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэ ящIащ, 1990 гъэм и мазаем унафэщI къулыкъури къылъысащ. Политикэм Къалмыкъ Юрэ зэрыхэта илъэсийр (иримыкъупэу) Iуэху куэдкIэ гъэнщIауэ щытащ, нэхъыщхьэ дыдэу абыхэм езыри къыхигъэщхьэхукIырт СССР-р щылъэлъэжым ахэр зытелэжьахэрат. Къэралышхуэм иIэну хэщIыныгъэр нэхъ зэрагъэмэщIэным къаруушхуэ ирихьэлIат зи унафэщI комитетым — союз республикэхэмрэ центрымрэ зэрызэхущытыным теухуа актхэм, закон зэмылIэужьыгъуэ куэд къызэщIиубыдэу, ягъэхьэзырат. АрщхьэкIэ Къалмыкъым жиIэжырт а лэжьыгъэр, дауэ игу щIэмыхьэми, псыхэкIуадэ зэрыхъуар — абы щыгъуэм утыку къихьа къарухэр нэхъ лъэрызехьэу къыщIэкIат. Совет Союзым и Парламентым и Комитетым и унафэщI къулыкъум Къалмыкъым къыхукIэлъыкIуэнкIэ хъуну щытащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм СоюзымкIэ и Советым и унафэщI IэнатIэр. Хэхыныгъэм пхыкIыным IэIэту 8 къудей иримыкъужауэ аращ. Къэгъэлъэгъуапхъэщ Къалмыкъым апхуэдэ къулыкъур къызэрыхуагъэлъэгъуа къудейм пщIэуэ иIар къузэригъащIэр: депутатхэми юристхэми ар я щапхъэт. Абы къыгуэтхэм ящыщт юридическэ IуэхухэмкIэ къэралым щыпашэ Алексеев Сергей, Хохлов Станислав, Маковский Александр сымэ. СССР-р лъэлъэжа нэужь, абыхэм я гъусэу, Къалмыкъыр жыджэру хэтащ Урысей Федерацэм и актхэм я проектхэр гъэхьэзырынымрэ къэпщытэнымкIэ къэхутакIуэ центр къызэгъэпэщынымрэ. ИужькIэ правэмкIэ Урысей школ къызэIуахащ, Москварэ Екатеринбургрэ и къудамэхэр щыIэу. 1996 гъэм и кIэхэм къыщыщIэдзауэ Къалмыкъыр абы и ректор хъуащ. А еджапIитIыр къызэзыгъэпэщахэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ Урысей Федерацэм и Конституцэмрэ Граждан кодексымрэ гъэхьэзырыным. 1991 гъэм и кIэм Алексеевым Къалмыкъыр иригъэблагъэри, ПравэмкIэ къэхутакIуэ центрым и советым и унафэщIым и къуэдзэу ягъэуващ. Ар абы щылэжьащ 1993 гъэм и гъатхэпэм Урысей Федерацэм юстицэмкIэ и министрым и къалэнхэр игъэзэщIэну пщэрылъ къыхуащIыхукIэ. ШыщхьэуIу мазэм министр къулыкъур къратащ. Ауэ а IэнатIэр Къалмыкъым езым и лъэIукIэ 1994 гъэм и дыгъэгъазэм къигъэнащ, Шэшэным дзэхэр зэрырагъэхьам и унафэм арэзы темыхъуэфу. Абы и фIэщ хъурт къару къамыгъэсэбэпу, Iуэхур мамыру зэхэбгъэкIыфыну щытауэ. Къыщалъхуа лъахэм пэIэщIэу и гъащIэм щыщ IыхьэфI игъэкIуащ Къалмыкъ Юрэ, ауэ зэи игу ихуакъым и хэкужьыр. ЕджакIуэ щыкIуа илъэсхэм щегъэжьауэ, абы фIэгъэщIэгъуэну иджын щIидзат адыгэ лъэпкъым и тхыдэр. ИужькIэ игу къигъэкIыжу щытащ щыстудентым Ленинград Салтыков-Щедриным и цIэр зезыхьэ библиотекэм жэщыр хэкIуэтэху щIэсу зэрыщытар, шэрджэсхэм я гъащIэм, Кавказ зауэм теухуауэ ятхахэр (Берже А., Леонтович Ф., Люлье Л., Нэгумэ Шорэ, Тарнау Ф. сымэ я лэжьыгъэхэр) зэрыт журнал тIорысэхэмрэ зи тхылъымпIэхэр гъуэжь хъужыну хунэса тхылъхэмрэ щIиджыкIыу. «Си лъэпкъым нэхъ захуэ щымыIэу жысIэнукъым, ауэ дэтхэнэ цIыху тэмэмми хуэдэу, сыкъызыхэкIар фIыуэ солъагъу, согъэлъапIэ, сропагэ», — итхыгъат абы зэгуэрым. 1991 гъэм и накъыгъэм и хэкуэгъухэм кърагъэблагъэри, Налшык къалэм япэу щекIуэкIа Дунейпсо адыгэ зэхуэсым ар хэтат. Конгрессым къызэригъэпэща Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу Къалмыкъыр хахат. Жэуаплыныгъэ зыпылъ а IэнатIэр зэман нэхъ гугъухэми абы щIыхь пылъу ирихьэкIащ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм а зэманым щекIуэкIа политикэ Iуэхухэри зэпIэзэрыту иIыгъащ. Къалмыкъым и нэIэм щIэту, Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэщIигъэуIуат 1992 — 1993 гъэхэм Абхъазым щекIуэкIа Хэку зауэм Кавказым ис лъэпкъхэм ящыщу дэIэпыкъуэгъу хъуну къарур. Къалмыкъ Юрэ дунейм ехыжащ 1997 гъэм. Абы и цIэр ящыгъупщэркъым, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэIэт пашэу лъэпкъым иIащи. БАГЪЭТЫР Луизэ. ЛъэпкъылI Мамхэгъ Михаил 1936 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м Тэрч къалэм къыщалъхуащ. 1959 гъэм абы Краснодар дэт Кубань мэкъумэш институтыр къиухащ инженер-механик IэщIагъэр иIэу. Мамхэгъыр и IэщIагъэм фIыуэ хэгъуэзауэ илъэсихым и кIуэцIкIэ ирилэжьащ, IэнатIэ зыбжани зэрихъуэкIащ. 1965 гъэм КПСС-м и Тэрч райкомым и етIуанэ секретару ар хах, абы къыкIэлъыкIуэу — республикэм нэхъ ин дыдэу ит «Къэббалкъмэкъумэштехникэ» IуэхущIапIэм и унафэщI ящI. 1974 гъэм Мамхэгъыр Тэрч райкомым и япэ секретару ягъэуващ. 1984 гъэм Михаил КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретару хахащ, илъэситI дэкIри, етIуанэ секретарь хъуащ. 1988 гъэм ар Правительствэм и УнафэщIу ягъэуващ. 1991 гъэм езыр и IэнатIэм IукIащ. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат, Урысей Федерацэм и мэкъумэш IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, гупсысэ куу зыбгъэдэлъ цIыхур мызэ-мытIэу Урысейми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгейми, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиеми къабгъэдэкIыу цIэ лъапIэхэмрэ саугъэтхэмрэ къыхуагъэфэщащ. Мамхэгъ Михаил ящыщщ IуэхущIафэ дахэкIэ зэманыр зыгъэнщIахэм, цIыхубэ хозяйствэм зегъэужьыным зи гуащIэшхуэ хэзылъхьахэм. Губзыгъэт, IэнатIэ зехьэкIэм хуэIэзэт. Къулыкъушхуэ иIыгъми, къызэрыгуэкIт, бэм я псэм дыхьэрт. И псалъэм зэрытебгъуэтэжым и пщIэм хигъахъуэрт. Дунейм, гъащIэм щекIуэкIхэм, къыщыхъу-къыщыщIэхэм нэ жанкIэ пхыплъыфырт, а псор тэмэму, пэжагъ хэлъу зэпилъытыфырт. Къыхуиухар кърихьэлIэхункIэ хэкумрэ лъэпкъымрэ хьэлэлу хуэлэжьащ, и фIы куэд цIыхухэм яригъэкIащ. Аращ абы и цIэр щIытфIэлъапIэри и фэеплъыр мыкIуэдыжын зыщIри. «ФIы зи мурадым къохъулIэ, — жаIэ. Лэжьыгъэмрэ цIыхугъэ лъагэмрэ зэгъусэу къызыдекIуэкIа Мамхэгъ Михаил деж ар щынэрылъагъут. Абы и мурадыр къехъулIэу, и псалъэхэр яфIэлъапIэу щIыщытар и гу къабзагъэрт, нэгъуэщIхэм защIэгъэкъуэным дапщэщи и псэр зэретарт. Республикэм щекIуэкIа ухуэныгъэшхуэхэр Мамхэгъым и цIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. Апхуэдэщ къедза жылагъуэми ялъэIэсу яукъуэдия Налшык — Шэджэм — Бахъсэн псы кIуапIэ гупышхуэр, къалэхэмрэ посёлкэхэмрэ щагъэува псы гъэкъэбзапIэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэрым троллейбусхэр зэрыщаутIыпщар, Печатым и унэр, Пионерхэмрэ школакIуэхэмрэ я унэр, Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэр, нэгъуэщI куэдхэри. Мамхэгъ Михаил фIыуэ сцIыхурт. «Къэббалкъмэкъумэштехникэ» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу щылэжьам, езым я газет къыдагъэкIыжын мурадкIэ, 1969 гъэм сригъэблэгъауэ щытащ. Абы си лэжьапIэр къызэрызэригъэпэща щIыкIэр район, республикэ газет псори зыщIэхъуэпсым хуэдэт. ГъэщIэгъуэнракъэ, лэжьэн щыщIэздза япэ махуэ дыдэм тIуми автомашинэщIэ зырыз къытхуэкIуат — Мамхэгъым «Волга», сэ — «Москвич». Апхуэдэу дызэдэлажьэу, зы пщэдджыжь гуэрым машинэхэр зыдэт пщIантIэм среджэ. «ИIэт, спидометрхэм дегъэплъыт», — жеIэри и «Волга»-м сыбгъэдешэ. ИужькIэ сысейм и спидометрым къридзам доплъ. Къагъэлъагъуэ бжыгъэхэр щызэзгъапщэм, пцIы хэмылъу, Iэнкун сыкъэхъуащ — республикэм и «Мэкъумэштехникэ» зэгухьэныгъэм и унафэщIым къикIухьам нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэ къэзжыхьат. МащIэу къыпыгуфIыкIа мыхъумэ, зы псалъэ къызжиIатэкъым. Пэжыгъэр япэ изыгъэщ цIыхур къызыхэкIа лъэпкъым и насыпщ. И дуней тетыкIэм, и Iуэху зехьэкIэм абы и пщIэр къеIэт, егъэин. Мамхэгъ Михаил хузэфIэкIар зы тхыгъэшхуэкIэ къыпхуэгъэлъэгъуэнукъым: ищIэр фIэмащIэт, и гур фIымрэ гуапагъэмрэ хуэгъэпсати, зэувалIэр къехъулIэрт. А псор къыпэкIуэрт къыщыхъуа унагъуэм щигъуэта гъэсэныгъэ дахэм. Ар къэрал лэжьакIуэ нэст, зэIэпахыу лIэщIыгъуэкIэрэ къыддекIуэкI адыгэ хабзэм ткIийуэ тетт. 1991 гъэм Налшык и утыку нэхъыщхьэм щрагъэкIуэкIа демонстрацэхэмрэ пэкIухэмрэ я зэранкIэ, республикэр щытыкIэ гугъу дыдэм къихутат, зэпэщIэтыныгъэм пхуэмыгъэзэкIуэжыну насыпыншагъэ къишэным нэсат. Лъэныкъуэ псори арэзы зытехъуэну унафэхэр зэпэшэчауэ къащтэн хуейт. Абы тегушхуэфынур акъыл жан зиIэ, гупсысэ узыншэ къызыпкърыкI цIыху губзыгъэхэрт. Апхуэдэ жыжьаплъэхэм ящыщт республикэм и Министрхэм я Советым и тхьэмадэ Мамхэгъ Михаил. Къэбэрдей-Балъкъэрым и мамыр псэукIэр, лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ ихъумэн, ди щIыналъэр зэкъуэту къызэтенэн папщIэ, республикэм и адрей унафэщIхэми хуэдэу, Правительствэм и Iэтащхьэ къулыкъум езыр текIащ. Ар и щыхьэтщ и лъэпкъым гууз-лыуз хуиIэу, абы и къэкIуэнум зэпымыууэ игъэпIейтейуэ зэрыщытар. Къэбэрдей-Балъкъэрым мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ нобэ зэрыщытепщэм, зэкъуэту зэрызиужьым Мамхэгъым и фIыщIэшхуэ хэлъщ. «Зэманым декIур лIыфIщ». Ар зыхужаIар Мамхэгъ Михаил хуэдэхэрщ. Мэшыкъуэ Тэзал.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100056.txt" }
«Таракчы»-р «Емуз»-м тохьэж УФ-м и НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм и лIыкIуэ Захаровэ Марие Тыркум ис адыгэхэм зэрышэрджэсыр жаIэну хуимыту, зэрыадыгэр къызыхэщ дэфтэри зэрамыхьэу лъэхъэнэ гугъу къызэрызэранэкIам и гугъу зэрищIрэ куэд щIакъым. Дунейм щызэбгрыдза адыгэ къуэпсхэр зэшэлIэжын мурадкIэ Iуэху да-хэ куэд къезыхьэжьэу екIууи зэфIэзыха, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ хэкурысхэмрэ я зэхуаку щызэприша лъэмыжхэм къикIуэтрэ ешрэ имыIэу зэрытетымкIэ зи цIэр дэнэкIи щыIуа Емуз- хэ Баязыт и адыгэ унэцIэр Тыркум щызэрихьэ дэфтэрхэм ирыригъэтхэжащ. «Адыгэм я дежкIэ щэнхабзэ, тхыдэ и лъэныкъуэ-кIэ лъэпкъыцIэм, унагъуэцIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, — щетх Баязыт и гуфIэгъуэ хъыбарегъащIэм. — Шэрджэсхэр дунейм и дэнэ щIыпIэ щыпсэуми, я унэцIэхэмкIэ, я лъэпкъыцIэхэмкIэ зэрыщIэу, зэрыцIыхуу, зэпыщIауэ къокIуэкI. Зи лъабжьэр илъэсищэ Iэджэ щIауэ ди Хэкужьым къыщежьэ си унагъуэцIэр ноби зесхьэн нэхърэ нэхъ пэж сыт щыIэ? Абы къыхэкIкIэ, хэхэсым унэцIэщ жаIэу къыщытфIаща «Таракчы»-р си унэцIэ пэж «ЕМУЗ»-кIэ схъуэжащ. Мы Iуэхум си ныбжьэгъухэр си гуапэу щыгъуазэ фызощI». Хъыбарым хъуэхъурэ псалъэ гуапэкIэ пэджэжам я бжыгъэм къегъэлъагъуэ Баязыт къиIэтар хэхэсми хэкурысми я дежкIэ Iуэху цIыкIуу зэрыщымытыр. «Щапхъэ махуэрэ жьыщхьэ махуэу куэдрэ Тхьэм уигъэпсэу! Епхьэжьа лъагъуэм лъэпкъыр дрикIуэн тхузэфIэкIыну Тхьэм жиIэ», — дыкъыщоджэ Баязыт къыхуэгъэза хъуэхъухэм я зым. «Дынохъуэхъу тэрч лъэныкъуэ лъэпкъ къудамэхэм яз Емузхэ ящыщ узэрыхъужамкIэ!» — зыкъыхуегъазэ адрейм. «КъыпщIэхъуа щIэблэм уи адэжьхэм я унэцIэ дыдэр зэрахьынущ иджы уи фIыгъэкIэ», — нэхъ жыжьэ мэIэбэ ещанэр. Емуз Баязыт илъэс куэдкIэ «Хуитыныгъэ» радиом щылэжьащ, МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъыр тыркубзэкIэ зэридзэкIащ. КъеббжэкIыну зэман пхурикъунукъым Емузхэ я къуэм хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ зэпищIэн папщIэ игъэхъея Iуэхухэр, я нэхъ цIыкIур Кахраманмараш и Iэгъуэблагъэм зыщызыубгъуа Тырку джылахъстэней жылагъуэм щыщ сабийхэр адыгэбзэ зэрыригъаджэрауэ. Дэри ди лъэпкъэгъу гуащIафIэм дохъуэхъу зи псэ игъэтыншыжа и адэжьхэмрэ зи щхьэр лъагэу зригъэIэта и щIэблэмрэ зэрызэкIэришхэжа и гупыжым ифI псэуху къекIыну, унэцIэр къыщежьа Хэкужьым псэкIэ зэрырипхым хуэдэу, щхьэкIи пищIэжыну. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100061.txt" }
Лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къыдэкIыгъуэ ХъыбарегъащIэ Iэмалхэм ящыщу газетыр цIыхубэм куэд лъандэрэ къадекIуэкI, жылагъуэм хъыбарыщIэхэр щызэбгрыгъэкIыныр, къэрал унафэр хэIущIыIу щIыныр, щIэджыкIакIуэхэм я Iуэху еплъыкIэхэр наIуэ къащIыныр, бэр Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхуеджэнымрэ лэжьыгъэшхуэхэм къыхузэщIэгъэуIуэнымрэ зи къалэн нэхъыщхьэ къыдэкIыгъуэщ. Нобэ, Интернетым и Iэмалхэм лъэщу зыщаужь, дэтхэнэми жып телефоныр, планшетыр, электрон тхылъхэр тыншу къыщигъэсэбэпыф лъэхъэнэм, куэдым жаIэ газетхэм къэкIуэну ямыIэу. АтIэми фIэщ щIыгъуейщ кIуэдыжыну тхылъымпIэкIэ тедза тхылъхэри, газетхэри, журналхэри. Ахэр зыфIэфI, электрон къыдэкIыгъуэхэм япэ изыгъэщу зыIэрызыгъэхьэхэр жылагъуэм щыкуэдщ иджыри. «Адыгэ псалъэми» и мащIэкъым зэман куэд лъандэрэ ныбжьэгъу пэжу, щIэджыкIакIуэ гумызагъэу къыдекIуэкIхэр. Ахэр, зэрыхабзэщи, адыгэ унагъуэцIэ зэрызэрахьэм нэмыщI, гукIи псэкIи адыгэу зызылъытэжхэм ящыщщ. Апхуэдэу къыдбгъэдэтщ цIыху щхьэхуэри унагъуэ псохэри, диIэщ тхылъымпIэкIэ тедза газетхэм есауэ еджэ нэхъыжьыфIхэри электрон къыдэкIыгъуэхэм Интернетым и Iэмал-хэмкIэ щыгъуазэ зыхуэзыщI зи щIалэгъуэхэри. Ди анэдэлъхубзэкIэ республикэм щыIэ къыдэкIыгъуэ закъуэм апхуэдэ хэкупсэхэм я дежкIэ иIэ мыхьэнэр зэдгъащIэмэ тфIэигъуэу, абы къикIуа гъуэгуанэмрэ игъуэт зыужьыныгъэмрэ ятеухуауэ яIэ Iуэху еплъыкIэхэмрэ чэнджэщхэмрэ дыщIэдэIумэ тфIэфIу, рубрикэщIэ къызэIудох, «Ди газетым и ныбжьэгъу пэжхэр» фIэщыгъэр иIэу. А плIанэпэм япэ псалъэр щылъыдогъэс илъэс куэд лъандэрэ лъэпкъ газетым и ныбжьэгъу пэжу щыт, ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм и ветеран, жылагъуэм пщIэ щызиIэ нэхъыжьыфI икIи хэкупсэ нэс ЛIуп Нурхьэлий. АдыгэбзэкIэ къыдэкI газетым и ныбжьыр 2024 гъэм илъэсищэ ирикъунущ. Ар ди лъэпкъым дежкIэ махуэ лъапIэу сэ къызолъытэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэм илъэс 97-рэ ипэкIэ газети тхылъи диIакъым, диIами, еджэфынур мащIэ дыдэт. Октябрь революцэм лъэпкъ цIыкIухэм къытхуихьащ ди еджэнри тхыгъэри. Пэжщ, апхуэдэу жыпIэмэ, иджы зи жагъуэ хъухэри щыIэщ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, революцэм иужькIэ адыгэм ди щэнхабзэм, ди щIэныгъэм, ди гъэсэныгъэм, ди экономикэм заужьынымкIэ лэжьыгъэ ин иригъэкIуэкIащ дэ фIыуэ тлъагъу ди адыгэ газетым. Сэ си щхьэр къэсщтэнщи, гъащІэм хузиIэ си еплъыкІэр куэдкІэ нэхъыфІ ищІурэ илъэс 70-м щІигъуауэ къыздогъуэгурыкIуэ ар. Абы япэ дыдэу сыщрихьэлІар Хэку зауэшхуэр щекІуэкI лъэхъэнэрат. Жэщри махуэри я зэхуэдэу колхозхэтхэр губгъуэм итт: вэрт, сэрт, пщІэрт, гъавэ Іуахыжырт, мэкъумылэ ягъэхьэзырырт. Дэ нэхъыщІэхэри абыхэм дэІэпыкьуэгъу дахуэхъурт: псы къахуэтхьырт, щІэпыр культивацэ щащІкІэ, гъавэ къыщрашкIэ , вы ІумпIэ тIыгът, щывэкІэ выщхьэтесу, прицепщикыу дылажьэрт, комбайным гуэдз щыІуихыжкІэ, хьэуазэ къигъэдзу дылажьэрт, гъавэр элеваторым шыгукІэ, выгукІэ тшэрт. А зэман гугъум шэджагъуэ зыгъэпсэхугъуэ къэс «Къэбэрдей пэж» газетым зауэм теухуауэ тет хъыбархэм, республикэм, къэралым щекIуэкI Iуэхухэм лэжьакIуэхэм къахуеджэрт учётчикыу лажьэ Къардэн Башир, ЛIуп Хьэжысмел, Балъкъыз ХьэкIашэ сымэ. Тхыгъэхэр теухуат ди Дзэ Плъыжьыр ипэкIэ кIуэн, ди текIуэныгъэр къэгъэблэгъэн папщIэ екIуэкI лэжьыгъэхэм, зауэм Iут ди лIыхъужьхэм ди лэжьакIуэхэм зэрызыкъыхуагъазэ псалъэхэм. А зэманым телевизор щыIэтэкъым, радиор нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэхакъутауэ лажьэртэкъым. Къэралым, республикэм щекIуэкI Iуэхур кърипщIэну щыIэр газетырат. Абы тет къыхуеджэныгъэхэр зылъагъу лэжьакIуэхэм къаруущIэ яIэу я IэнатIэм пэрыувэжырт. Ди кохозхэтхэм я лэжьыгъэфIым теухуауэ сэри си тхыгъэ цIыкIу газетым къытехуауэ щытащ икIи абы лъандэрэ зэныбжьэгъуфIу дыкъызэдокIуэкI. Абы къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым сэ Iэ тызодзэ ди адыгэ газетым. Зауэ лъэхъэнэми абы и ужькIи пощтзехьэу лэжьахэу Джыназ Дзадзырэ, Фокъуэ Жилэ (я хьэдрыхэ фIы Тхьэм ищI) сымэ районым, япэщIыкIэ Вольнэ Аул, итIанэ Нартан шууэ кIуэурэ, уэшх къешхми уэс къесми къамыгъанэу, газетхэр, письмохэр и чэзум къытIэрагъэхьэу щытащ. 1956 — 1957 гъэхэм ди институтым и студентхэр гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманым Къэзахъстаным щIыщIэ къаIэтым дыхэту дыщылэжьащ. Абы дэнэ къыщикIынт адыгэ газетыр? АтIэми дыкъэкIуэжа иужь институтым и читальнэ залым сыщIэтIысхьэрти, махуитI-щыкIэ сыщIэст, къысIэрымыхьа къыдэкIыгъуэхэр щIэзджыкIыжу. Ноби аращ. Сыкъэтыну зыщIыпIэ сыкIуамэ, унэм исхэм я къалэнщ зы газет мычэму сыкъэкIуэжыху схуахъумэну. А къомыр къыщІезгъэкІуэкIыр уи бзэкIэ къыдэкI газетыр уи гум кьызэрыдыхьэм хуэдэу нэгъуэщI зы къыдэкIыгъуи зэрыпхуэмыхъунур хьэкъыу спхыкIауэ сощIэри аращ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ар адыгэ унагъуэ мащІэ дыдэщ зэрыхьэр. Иджыпсту «Адыгэ псалъэ» газетым и тиражыр зэрыхъур 1777-рэщ. Ар ди адыгэ лъэпкъым и дежкIэ сфIэмащIэ дыдэщ. УщрихьэлIэ щыIэщ къулыкъуфI яIыгъыу, ахъшэфI къахьу, ауэ я бзэкIэ къыдэкI газетыр къызыIэрымыхьэ адыгэхэм. «Щхьэ «Адыгэ псалъэ» газетым Iэ тумыдзэрэ?» — жыпIэмэ, «Сэ адыгэбзэкIэ сыкъеджэфыркъым», жэуапыр къозытхэми уахуозэ. Ар дауэ? Сэ слъэкIамэ, зи бзэкIэ къемыджэфхэм къулыкъуфIи естынтэкъым. Газетым и тиражыр зэрымащIэм нэгъуэщI щхьэусыгъуэ гуэрхэри иIэщ. Абыхэм ящыщу сэ къызолъытэ и уасэм нэхъыжьхэм я пенсэ мащIэр зэрыпэмылъэщыр, нэхъыщIэхэм адыгэбзэкIэ къыдэкI закъуэр зэрапэсыркъым. Колхоз, совхоз, фабрикэхэр, лэжьакIуэ пашэхэр щыIэжкъым. СССР-м и лъэхъэнэм щыгъуэ адыгэ унагъуэ къэс ди бзэкIэ къыдэкI газетыр къаIэрыхьэу щытащ. Адыгэбзэр кIуэдыжынущ, жари махуэ къэс топсэлъыхьхэр, ари гузэвэгъуэшхуэщ. Къалэ сабийхэр къохъу, я анэбзэр ямыщIэу. Ди нэхъыжьхэм зэрагъэпэща къэрал мылъкур къэзымылэжьахэм зэрызрахьэлIэжыр къэзыгъэлъагъуэ тхыгъэхэр, фельетонхэр нэхъыбэу къытехуэн хуейщ. Дэтхэнэ зыми елъагъу къэралым цIыхуу исым я процент 80-м щIигъур тхьэмыщкIагъэм зэрыхуэкIуэр, ауэ абы теухуауэ ди «Адыгэ псалъэм» мащIэ дыдэщ къытехуэр. Иджы демократиещ жыдоIэ. Ямыдэж компартым и тетыгъуэм фIыуэ лажьэри дыгъуэгъуакIуэри зэхэгъэкIауэ газетым къытрадзэу щытащ, къэрал мылъкум Iэ щIыIэкIэ хэIэбэхэм, зи къулыкъур зи щхьэкIэ, зи унагъуэкIэ къэзыгъэсэбэпхэм я цIэ къраIуэфырт. Иджыри мащIэкъым апхуэдэхэр. Газетым и Iэмалхэр къэдгъэсэбэпурэ, ахэр хэIущIыIу щIын хуейщ. «Адыгэ псалъэ» газетым мы зэманым, сэ сызэреплъымкIэ, лэжьакIуэфIхэр иIэщ, си гугъэщ абыхэм зи гугъу сщIахэр яхузэфIэкIыну. Ди газетым адыгэбзэ зымыщIэхэр хуейкъым, абы хуейр дэращи, къыхуедвгъаджэ дэтхэнэ зы адыгэри и бзэкIэ къыдэкI «Адыгэ псалъэр» къыIэрыхьэ-ным. Газетым и лэжьакIуэхэм сынывохъуэхъу узыншагъэ фиIэу, лъэпкъ зыужьыныгъэм хуэгъэпса фи мурадыфIхэр къывэхъулIэу, нэщхъеягъуэм фыпэIэщIэу дуней дахэм фытетыну. ЛIУП Нурхьэлий, Джэрмэншык къуажэм и Ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100065.txt" }
Нэхущ Чэримрэ «Кабардинка» ансамблымрэ Витебск зыкъыщагъэлъагъуэ Мы махуэхэм Белоруссием и Витебск къалэм щекIуэкIащ гъуазджэхэмкIэ «Славянский базар» XXX дунейпсо фестивалыр. Зэхыхьэр къыщызэIуахым гукъинэжу зыкъагъэлъэгъуащ Кавказ Ищхъэрэм и республикитхум я цIыхубэ артист Нэхущ Чэримрэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамбль цIэрыIуэмрэ. Республикэр дызэрыгушхуэ ди артист пажэхэр фестивалым и утыкум IэгуауэшхуэкIэ щрагъэблэгъащ. Гур хэзыгъахъуэт зи уэрэд жыIэкIэр куэдым фIыуэ ялъэгъуа Нэхущ Чэрим удихьэхыу «Адыгэ пщащэ» уэрэдыр адыгэбзэкIэ зэригъэзэщIам укIэлъыплъыныр, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ «Кабардинка» къэрал ансамблым и къэфакIуэхэм утыкур къыдагъэбжьыфIэу. — СэркIэ пщIэшхуэщ «Славянский базар» фестивалым сызэрырагъэблэгъар. Гъуазджэ зэхыхьэшхуэм и тхыдэм къриубыдэу абы и сценэм зыкъыщагъэлъэгъуащ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, дуней псом и вагъуэ цIэрыIуэхэм, — жеIэ Нэхущым. — Белоруссием япэу сыкIуэну къысхуихуауэ аращ икIи а къэралыр хуабжьу сигу дыхьа къудей мыхъуу, ситхьэкъуауэ жысIэмэ егъэлея хъунукъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм бысымхэр гуапэу, я гур зэIухауэ къытIущIащ, белорусхэр хьэщIэкIэ зэрыфIым и нэщэнэу. Витебск къалэм и къабзагъымрэ и дахагъымрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым! Урысейм исхэр нэхъри зэкъуэзыгъэувэ, я зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ, лъэпкъхэм я щэнхабзэр нэхъри зэгъунэгъу зыщI фестивалыр щIэщыгъуэу икIи гукъинэжу екIуэкIащ. Ди республикэм и лIыкIуэхэр фестивалым зэрыхэтам щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъкIэ, удз гъэгъарэ саугъэтхэмкIэ ягъэлъэпIащ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100068.txt" }
КIуэкIуэ Казбек цIыхухэм яIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 17-м яхуэзащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и УнафэщIым а махуэм IущIэну хуейуэ нэхъ пасэу зрагъэтхат Налшык къалэм, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ, Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэхэм щыщхэм. ХуэмыщIауэ псэу бынунагъуэшхуэхэм щыщхэр, апхуэдэуи щытыкIэ гугъу къихутахэр къызытекIухьар я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэнырт, технологие лъагэр зи лъабжьэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтын папщIэ зыщIагъэкъуэнырт. КIуэкIуэ Казбек къыхуэкIуахэм жаIахэм едэIуащ, зыкъызэрыхуагъэзахэм хэплъэри, республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и зыхуэфащэ органхэм пщэрылъхэр яхуищIащ Iэмал зэриIэкIэ абыхэм зыщIагъэкъуэну. КъБР—м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс—IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100071.txt" }
Нарткъалэ курыт еджапIэщIэ щаухуэн папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелуан 424-рэ къыхуаутIыпщ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил Iэ щIидзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелуан 424,6-м щIигъу къызэрыхуаутIыпщынур къыщыгъэлъэгъуа унафэм. А ахъшэр трагъэкIуэдэнущ еджакIуэ 500-м ятещIыхьауэ Нарткъалэ щаухуэну школыщIэм. Унафэм зэрыщыубзыхуамкIэ, субсидиехэр нэгъуэщI щIыналъэ 28-ми яIэрыхьэнущ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэбелджылыкIащ щIыналъэхэм егъэджэныгъэ IэнатIэм гулъытэ хэха мы зэманым зэрыщагъуэтыр — ар къыхэщауэ щытащ Урысейм и Президент Путин Владимир мы гъэм и мэлыжьыхьым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам. «Урысейм и Правительствэм и унафэр хуэгъэпсащ курыт еджапIэхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтыну ныбжьыщIэ нэхъыбэм Iэмал яIэным, зы кIуэгъуэу еджэхэм я бжыгъэм хэгъэхъуэным. ТыншыпIэ псори зыхэт, и теплъэкIи дахэ, сыткIи зыхуей хуэза иджырей школыр дэтхэнэ еджакIуэм дежкIи хъун хуейщ лъагапIэщIэхэм нэсынымкIэ IэмалыщIэхэр къезыт щIыпIэ», — къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэм. Нарткъалэ еджапIэщIэ щыухуэным мы гъэм щIадзэну я мурадщ, проектыр зэхалъхьакIэщ икIи школыр щащIыну щIыпIэри яубзыхуащ. Проектыр ягъэзэщIэнущ УФ-м «Егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьын» и къэрал программэу 2021 — 2023 гъэхэм ятещIыхьам хыхьэу. 2021 гъэм къыщыщIэдзауэ 2023 гъэ пщIондэ курыт еджапIэщIэу 6-м лэжьэн щыщIадзэнущ республикэм. Дызэрыт илъэсым яухынущ курыт еджапIищ — ныбжьыщIэ 500 щIэхуэу Шэджэм къалэм, цIыху 250-м ятещIыхьауэ Солдатскэ станицэм, цIыху 440-м ятещIыхьауэ Ново-Ивановскэм щащIхэр. 2022 гъэм яухыну я мурадщ еджакIуэ 785-рэ щIэхуэну Прохладнэ къалэм, цIыкIу 500-м ятещIыхьауэ Куба къуажэм дащIыхьыну еджапIэхэр. Абыхэм я ухуэныгъэр зэман гъунэгъум кърагъэжьэнущ. Республикэм и щыхьэрми школыщIэхэр щыухуэн лэжьыгъэм адэкIи пащэнущ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2019 гъэм Налшык щатащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ 33-нэ курыт еджапIэщIэр — сабий 1224-рэ щIэхуэу. Иджыпсту яужь итщ иджыри еджапIищ къалащхьэм щыухуэным ехьэлIа Iуэхухэм. Абыхэм ящыщ зым ныбжьыщIэ 1500-рэ щIэхуэнущ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100074.txt" }
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр Къурмэн махуэшхуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрехъуэхъур Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу Къурмэн хьид махуэ лъапIэмкIэ. Муслъымэн мелуанхэм илъэс къэс ягъэлъапIэ цIыхур псэ къабзагъэм, гущIэгъум хуэзыущийр, фIым и къарур гъащIэм зэрыщытепщэм и дамыгъэу щыт а махуэр. А махуэшхуэм и лъабжьэщ псэкупсэ къулеигъэхэр — гумащIагъэр, захуагъэр, хьэл-щэн зэтетыр, мамырыгъэм и телъхьэу щытыныр, ахэрщ зыгъэбыдэр лъэпкъхэм пщIэ зэхуащIыныр, зэныбжьэгъугъэр, зэкъуэтыныгъэмрэ фIым телэжьэнымрэ. Шэч къытесхьэркъым Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэр, ислъамым и хабзэфIхэм тету, я гурылъхэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ фIым хуаузэщIурэ республикэм и жылагъуэ Iуэхухэм дяпэкIи жыджэру зэрыхэтынум, дин зэмыщхь зезыхьэ лъэпкъхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр, зэгурыIуэныгъэр, мамырыгъэмрэ зэпIэзэрытагъымрэ гъэбыдэным адэкIи зэрытелэжьэнум. Республикэм щыпсэу псоми сохъуэхъу узыншэу, зэIузэпэщу, насыпыфIэу, кърахьэжьэ IуэхуфIхэм щехъулIэу псэуну! Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Ди къурмэныр къабыл ухъу! Бисмиллахьи рэхьмани рэхьим! ФIыщIэр дуней псоми я тепщэ Алыхьым ейщ! Хъуэхъумрэ мамырыгъэмрэ ялъыус Мухьэммэд бегъымбару Алыхьым и хъуэхъумрэ и сэламымрэ зытеIуам, абы и Iыхьлыхэм, и щэхьабэхэм, и гур къабзэу абы иужь иува псоми Къемэт махуэр къэсыху! Ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ! Алыхь Лъэщым щIым тет псори езым и Iущыгъэм хуэфащэ мурад хэхам къыхуигъэщIри, дунеягъэм къызэщIиубыдэу хъуар цIыхум и унафэм щIигъэуващ. Нэрылъагъу дыдэщ дунеягъэм и дэтхэнэ Iыхьэри цIыхум и зыужьыныгъэмрэ ар зыгъэтыншынумрэ хуэгъэпсауэ зэрыщытыр. Абы къыхэкIыу, щIэныгъэншагъэщ цIыху цIыкIур мурад хэхам хуэмыгъэпсауэ дунейм къытехьауэ, ар ауэ сытми и зэш теун папщIэ къигъэщIауэ уи гугъэныр. Ауэ щыхъукIэ, цIыху мащIэ дыдэщ щIым къызэрытрагъэхьамкIэ къыхуамурадыр, Тхьэуэ Лъагэмрэ зыдэпсэу цIыхубэмрэ я пащхьэм щихь къалэныр зыхуэдэр къызыгурыIуэр. Алыхьталэм КъурIэн лъапIэм цIыхум хъыбар къыщригъэщIащ абы и гъащIэм и мыхьэнэр Алыхьым къызэригъэщIар и фIэщ хъуныр, Абы и пщэ къыдилъхьа къалэнхэр игъэзэщIэныр зэрыарар. Дэтхэнэ цIыхури хущIэкъупхъэщ щэныфIагъым и лъагапIэм лъэIэсын папщIэ и хьэлым зригъэужьыну, Алыхьталэм фIэкI мыхъуну къыхуигъэува гъунапкъэхэм зэремыбэкъуэным хущIэкъуну, и дуней гъащIэр зэрыщыту Ар арэзы къыхуэхъуным хуиубзыхуну. ГъащIэм дызэригъэунэху гъуэгуанэ кIыхьыр зэпытча нэужьщ къыщыдгурыIуэр а къалэныр гъэзэщIа зэрыхъуар. Алыхьым унафэ къытхуещI ди фIэщхъуныгъэр фэрыщIыгъэншэу гурэ псэкIэ зетхьэну. Абы улъэIэсын папщIэ, уи гумрэ уи акъылымрэ щыхьэт къыбдэмыхъуу, псалъэ къудейкIэ «Алыхьыр си фIэщ мэхъу» жыпIэкIэ зэфIэкIыркъым. Упсэуху уи псалъэри уи IуэхущIафэри диным узэрыщифIэщым, Алыхьталэм къыпхуигъэува къалэнхэм уазэрыхуэпэжым щыхьэт техъуэу щытын хуейщ, гъуэгу захуэм узэрытемыгъуэщыкIыным, абы утри- шын папщIэ мыхъумыщIагъэ куэдым укъыхуэзыгъэбырсей шейтIаным къиIущэщхэм зэрызыдумыгъэхьэхыным ухуэсакъыу. Апхуэдэ щIыкIэу фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъым и гъащIэм наIуэ къещI ар икIагъэм дихьэхахэм, цIыхум бзаджагъ кIэлъызехьэнымрэ абы гужьгъэжькIэ бгъэдэтынымрэ нэрыгъ зыщIахэм зэращымыщыр. ДинкIэ си къуэшхэ, си шыпхъухэ! Махуэ лъапIэм ипэ къихуэу фыкъыхузоджэ, си щхьэри къыхузоджэж еш фимыIэу фи фIэщхъуныгъэр евгъэфIэкIуэну, диным къыфхуигъэува пщэрылъхэм фатемыплъэкъукIыну, гукъэкIыфIхэмрэ захуагъэмрэ жэуаплыныгъэ хэлъу фыбгъэдыхьэну: а зырщ дунеягъэкIи ахърэткIи ехъулIэныгъэм ухуэзышэнур. КъБР-м ис псоми Къурмэн махуэ лъапIэмкIэ (Хьидул Iэдхьа) гурэ псэкIэ сохъуэхъу! Дэтхэнэ зы унагъуэми ди республикэми Алыхьталэр мамырыгъэкIэ къыхуэупсэ, я фIэщхъуныгъэр быдэу, мурадыфIкIэ къаIэт дэтхэнэ Iуэхуми ерыщу, къикIуэт ямыщIэу хущIэкъуфын хуэдэу. Алыхь ЛъапIэм солъэIу ди къурмэнхэр къабылу тIихыну, ди унэхэри ди унагъуэхэри ерыскъырэ берычэтрэ щимыгъэщIэну. Псоми узыншагъэ быдэ, насып, бэIутIэIуншагъэ, фIэщхъуныгъэ быдэ Алы-хьым къыдит! Фэри фи Iыхьлыхэми Алыхьым мамырыгъэр Iэпэгъу фхуищI! КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий ДЗАСЭЖЬ Хьэзрэталий.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100076.txt" }
Бжыгъэшхуэ защIэкIэ къыхагъащIэ «Нарт» Есэгъуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым мы гъэм зэрыщIидзэрэ иужь дыдэ увыпIэр Нарткъалэ и «Нартым» зэрыщиIыгъым. Ар пэщIэдзэ зэIущIипщIми къыщыхагъэщIа къудейкъым, атIэ иужь джэгугъуихым бжыгъэшхуэ дыдэкIэ щыфIахьащ. Иджыри къэс къазэрытекIуа 1:8, 1:9-м щебэкъуэжащ щэбэт кIуам. Зэхьэзэхуэм къыщыкIэрыхухэм ящыщу икIи зэ закъуэ фIэкIа нобэр къыздэсым зи хьэрхуэрэгъухэр химыгъэщIауэ Налшык къикIа «Спартак-Д»-м «Нартыр» и стадионым щыIэжу 1:10-уэ хигуащ. Нарткъалэдэсхэм я зэфIэкIыр зэрылъахъшэ дыдэр абы наIуэ ещI. Абы щыгъуэми зэпеуэм щыпашищым я лъэр бжьыпэм щызэдагъэбыдащ. Апхуэдэу «Родник»-р Тырныауз щытекIуащ, «Тэрчыр» «Шэрэджым» ефIэкIащ, «Кэнжэр» ХьэтIохъущыкъуей къуажэм щынэхъ лъэщащ. Япэ ищахэм япэгъунэгъуа «Урыхур» Прохладнэ къикIа «Энергетик»-м гукъыдэжыншэ ищIащ. ХьэщIэхэм къыхудагъэкIа топиблым абы жэуапу иритыжар зы закъуэщ. И къехуэхыныгъэм къыпещэ «Ислъэмейм». Ар ещанэу зэкIэлъхьэужьу къыхагъэщIащ икIи турнир таблицэм зэгуэр щыпашэу щытауэ къыпхуэщIэжынкъым. Гъуащхьауэхэм я зэпеуэм пашэныгъэр зэрыщиIыгъщ «Ислъэмейм» щыджэгу Бэлагъы Руслан. Абы къыкIэлъокIуэ Иуан Азрэт («Энергетик»), Суйдым Аслъэн («Урыху»), Глашев Алим («ЛогоВАЗ») сымэ. АдэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Эльбрус» (Тырныауз) — «Родник» (Псынэдахэ) — 0:1, «Урыху» (Урыху) — «Энергетик» (Прохладнэ) — 1:7, «Нарт» (Нарткъалэ) — «Спартак-Д» (Налшык) — 1:10, «Малка» (Малкэ) — «Ислъэмей» (Ислъэмей) — 5:4, «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) — «Кэнжэ» (Кэнжэ) — 1:2, «Тэрч» (Тэрч) — «Шэрэдж» (Старэ Шэрэдж) — 3:0, «Шэрджэс» (Шэджэм) — «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) — 3:1, «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — 3:3. ДызыхуэкIуэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ зи чэзу джэгугъуэм щызэIущIэнущ: бадзэуэгъуэм и 24-м — «Родник» — «ХьэтIохъущыкъуей», «Псыгуэнсу» — «Малка» , «Энергетик» — «Нарт», «Шэрэдж» — «Шэрджэс»; бадзэуэгъуэм и 25-м — «Кэнжэ» — «Урыху», «ЛогоВАЗ» — «Эльбрус», «Спартак-Д» — «Тэрч», «Ислъэмей» — «Шэджэм-2» командэхэр. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100078.txt" }
«Си анэм и пщэфIэкIэр» «Лашын» бзылъхугъэ цIыхубэ зэгухьэныгъэм и нэIэ щIэту, дунейм къытехьащ Бжьэдыгъу (Къущхьэ) Оксанэ и «Мамина кухня» («Си анэм и пщэфIэкIэр/пщэфIапIэр») тхылъыр. «Тхылъыр журнал теплъэм идгъэуващ, ущыпщафIэкIэ нэхъ тыншу къыпхузэтехын хуэдэу, — дыхегъэгъуазэ Оксанэ и лэжьыгъэм. — Дэтхэнэ пщэфIыгъэри зэрызэхэт Iыхьэхэр сурэткIэ къэгъэлъэгъуащ». Адыгэ лэгъупыIэмпIэм и хъугъуэфыгъуэхэр» фIэщыгъэм щIэту тхылъ гуп къыдигъэкIын и гугъэщ Оксанэ икIи мы дызытепсэлъыхьыр абыхэм япэ иту аращ. «Си анэм и пщэфIэкIэр» щIыфIищам и щхьэусыгъуэри къыдгурегъаIуэ: тхылъым зи пщэфIыкIэр щызэпкърыха шхыныгъуэ 14-ри къызэригъэлъагъуэр и анэм зэрищIым техуэущ. Абы къыкIэлъыкIуэнум Оксанэ щимурадщ и гуащэшхуэм ипщэфIу щыта шхыныгъуэхэр щызэхуихьэсыну. «Тхылъхэр Налшык, Нартан къэсыжакIэщ, си анэм IэщIэслъхьакIэщ, сыту жыпIэмэ, ар дунейм къызэрытехьар зи фIыгъэри зыхуэгъэфэщари аращ», — къыддогуашэ Оксанэ и гуфIэгъуэмкIэ. «Си анэм и пщэфIэкIэр» къызэрыдэкIар урысыбзэщ, ауэ ар зытхам дыкъегъэгугъэ етIуанэ къыдэкIыгъуэм абы ихуа тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ, тыркубзэкIэ, инджылызыбзэкIэ зэдзэкIауэ иригъэувэну. Оксанэ и IэщIагъэкIэ экономистщ икIи егъэджакIуэщ. Бзылъхугъэ нэфIэгуфIэм и пщэфIэкIэм уеплъкIи, уедаIуэкIи зыщыбгъэнщIыркъым. IэкIуэлъакIуэу зэрыIэбэм къыгуоувэ Оксанэ ищIэу хъуар щIищIэр гурыIуэгъуэу, чэнджэщхэм щымысхьу къызэрыбгуригъаIуэр. Псом хуэмыдэу удехьэх дэтхэнэ ерыскъыхэкIми и сэбэп-и зэранхэр, ар адыгэ тхыдэм къызэрыхэщыр, лъэпкъ къудамэ къэс абы адрейм ейм темыхуэу хилъхьэм гу зэрылъыуигъатэр. «Адыгэ пщэфIэкIэм, зы лъэныкъуэкIэ, шхын зэмылIэужьыгъуэхэр щымащIэкъым, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, ахэр зызымыхъуэжщ. Абы ущрихьэлIэнукъым хадэхэкI зэхэупщIэтахэм я лIэужьыгъуэ куэд, ауэ шыпсхэр, лыхэкIхэр, иджыпсту дэнэ щIыпIэкIи прунжымрэ нартыхумрэ щрагъэкIуэтэкIа хугум къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэм уащыхуозэ. А зэрызимыхъуэжырщ, лъэпкъыр зэсам зэрытемыкIырщ, хэку щIыналъэм щызекIуэ, къыщыхъу ерыскъыхэкIхэр нэхъ къызэращтэрщ гъащIэ кIыхьым и щэхур», — гунэсу тхылъым и пэублэм ущыхегъэгъуазэ Оксанэ адыгэхэм я ерыскъы зехьэкIэм. Тхылъыр «Адыгэ унэми» «Тхылъхэм я дунейми» («Sreda book») щащэ, электрон IэмалкIи уогъуэт. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100081.txt" }
Хыри, бгыри, псы хущхъуэри УФ-м и Правительствэм игъэбелджылащ Кавказ Ищхъэрэм зыгъэпсэхупIэ щIыналъэу зегъэужьыным епхауэ зэфIахыну Iуэхугъуэхэр. Ахэр 29-рэ мэхъури, дэтхэнэ зыри зэрагъэзащIэм елъытауэ щытынущ хуэIухуэщIэхэр зыхуэдэнумрэ нэгъуэщI зыгъэпсэхупIэхэм ди щIыналъэр зэрефIэкIынумрэ. Псом япэрауэ, къапщытэнущ Кавказ Ищхъэрэ зыгъэпсэхупIэхэм я щытыкIэр, зэхагъэувэнущ щэнхабзэ программэ, шхыныгъуэ щIэщыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зыгъэпсэхупIэхэм щыщIэкIыжу щIэрыщIэу зэтрагъэпсыхьыну я мурадщ. А проектхэм ящыщ куэдыр уней мылъкукIэщ зэрызэфIагъэкIынур. Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэр федеральнэ ахъшэм къызэрыщыгугъыр, абыхэм зэрыпсэун къалэжьыжыфу щIын, къэралымрэ зэфIэкI зиIэ цIыхухэмрэ я мылъку зэхэдзэкIэ Iуэхур гъэкIуэтэн зэрыхуейр жиIащ Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил. Абы къыхигъэщащ илъэсым и кIыхьагъкIэ зыгъэпсэхупIэхэр, цIыхухэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэхэр бгъэлэжьэну мы щIыналъэм Iэмал къузэритыр. Къапщтэмэ, уз зэрыцIалэм къыхэкIыу цIыхухэм я зэхэзекIуэр нэгъабэ нэхъ мащIэу щытами, Кавказ Ищхъэрэм мелуани 2,5-м зыщагъэпсэхуащ. Мишустиным зэрыжиIамкIэ, КИФЩI-м и зыгъэпсэхупIэ нэхъ инхэм иужьрей илъэсхэм сом мелард 30-м щIигъу халъхьащ. Къэралым иджыри мылъкушхуэ тригъэкIуэдэнущ хьэрычэтыщIэхэм инженер инфраструктурэмкIэ защIигъэкъуэным, ауэ хьэщIэщ, шхапIэ, н.къ. уней мылъкукIэщ зэраухуэнур. Зызыгъэпсэхухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къыздикIымрэ здэкIуэмрэ зэ-зыпх транспортым. Аращи, иджырей зэманым къекIуу къагъэщIэрэщIэнущ псы, гъущI гъуэгу вокзалхэр, аэропортхэр, щIэхэри яухуэнущ. Яухуэнум щыщу цIыхухэр нэхъ зыпэплъэр Кавминводы — Сочэ гъуэгур арагъэнущ. Абы хуэдитIкIэ игъэмэщIэнущ мы гъуэгуанэм ихь зэманыр. НэгъуэщIу жыпIэнумэ, хы ФIыцIэ Iуфэм зыщызыгъэпсэхум Iэмал иIэнущ Кавминводхэм къакIуэу псы хущхъуэ щефэну. «Ростуризм»-м къит бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, КИФЩI-м и хэхъуэм и проценти 10-р зыгъэпсэхупIэхэм къапэкIуэу хъунущ. Нэхъыщхьэращи, хуэдищкIэ нэхъыбэм лэжьыгъэ ягъуэтынущ иджыкIэ мы IэнатIэм пэрытым нэхърэ. ЗэрытщIэщи, ди щIыналъэм хурикъуркъым хьэщIэщ, кемпинг зэIузэпэщхэр. Мы гъэм щхьэщатыкIыр нэхъ мащIэу кредит ят хъуащ хьэщIэщхэр яухуэным, жьы хъуахэр къагъэщIэрэщIэжыным цIыхухэр трагъэгушхуэн мурадкIэ. Ауэ гурыIуэгъуэщ хьэщIэщ дахэм къалэ, щIыпIэ дахэ зэрыжиIэнур. Къапщтэмэ, Кисловодск сыт и лъэныкъуэкIи зэIузэпэщ ящIыну федеральнэ программэ щыIэщ. Дыщыгугъынщ Налшыки апхуэдэ гулъытэ игъуэтыну, зэгуэр абы и санаторэхэр СССР псом щыцIэрыIуэу зэрыщытам тетщIыхьу.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100084.txt" }
Iуащхьэмахуэ и щыгум япэу нэса адыгэлI Лъэпкъым и цIыху Хьэшыр Чылар и щапхъэр 1829 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэу Iуащхьэмахуэ и щыгум япэу щытеуващ цIыхум и лъэр. Апхуэдэ лIыгъэ къызыкъуэкIыу зэи зыри зытемыгушхуа бгыщхьэм нэсар адыгэлI Хьэшыр Чыларт. Генерал цIэрыIуэ Эммануэль Георгий я пашэу а гъэм къызэрагъэпэща щIэныгъэ-къэхутакIуэ зекIуэ иным хэтхэм я гъуэгугъэлъагъуэт ди лъэпкъэгъу ахъырзэманыр. Iуащхьэмахуэ и къуэкIыпIэ лъагапIэм, метр 5621-рэ хъум, дэкIуеифа адыгэлIым къыкъуэкIа апхуэдэ лIыгъэр щIэдзапIэ хуэхъуащ урысей альпинизмэм и тхыдэм. Хьэшыр Чылар япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ и щыгум и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм зэрыдэкIам теухуауэ зэман зэхуэмыдэхэм дунейм къытехьауэ щыта тхыгъэхэм ящыщ тыдодзэ «Адыгэ псалъэм» и нобэрей къыдэкIыгъуэм. Хэти ирещIэ къызэрыгуэкI адыгэм бгъэдэлъ зэфIэкIым и инагъыр, ирегушхуэ икIи иреин Чылар хэлъа лIыгъэмкIэ, ар щапхъэ яхурырехъу къытщIэхъуэ щIэблэм. ЖЫЛАСЭ Маритэ. БгъуэнщIагъ цIэрыIуэм и тхыдэр Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым ущыблэкIкIэ гу лъыботэ абы и щIыхьэпIэм деж щыт мывэшхуэм. Абы тетхащ: «Пащтыхь Николай Езанэм и тетыгъуэм щыгъуэ, гъэмахуэ шылэм и 8-м щыщIэдзауэ 11-м нэс 1829 гъэм мыбдеж щытащ генерал Эммануэль Георгий и лагерыр. Абы и гъусащ: илъэс 14 зи ныбжь и къуэ Георгий, щIэныгъэлIхэу Купфер, Ленц, Менетрие, Мейер; къулыкъущIэ Вансович, архитектор Бернардацци, мэжэр зауэлI Бессе». КъызэрыщIэкIымкIэ, а мывэр быдэ дыдэу епхащ Псыхуабэ къалэм дэт, алыдж тхьэгуащэ Дианэ и бгъуэнщIагъ IэрыщIым. А бгъуэнщIагъыр щIащIар Хьэшыр Чылар и хьэтыркIэщ, икIи япэщIыкIэ зэреджэу щытар Iуащхьэмахуэ и бгъуэнщIагът. Абы и блыным деж щытащ мывитI, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа тхыгъэр тету, зым — урысыбзэкIэ, адрейм — хьэрыпыбзэкIэ. Генерал Эммануэль и унафэкIэ 1837 гъэм бгъуэнщIагъыр яухуауэ щытащ, иджыри абы и щхьэм мывэ хужьым къыхэщIыкIа Iуащхьэмахуэ и сурэтыр тращIыхьу, 1829 гъэм Iуащхьэмахуэ дэкIыну ежьахэм я цIэхэр абы къыхаIущIыкIыжын хуеящ. АрщхьэкIэ, къызыхэкIар ямыщIэу, генералыр щIегъуэжри, бгъуэнщIагъым алыдж тхьэгуащэ Дианэ и цIэр фIащыну унафэ ищIащ. 1909 гъэм мывитIри Тифлис яшащ икIи абы дэт Кавказ музейм щIагъэуващ. Мывэм ещхь нэгъуэщI зыи ящIри, ар Псыхуабэ дэт лъахэхутэ музейм щIагъэуващ. КъэхутакIуэ, тхыдэдж икIи хэкупсэ нэс Котляров Виктор зэритхымкIэ, мывэр ди деж къызэрахьар зи фIыщIэр щIэныгъэлI-археолог Акритас Панаитщ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм я пэщIэдзэм ар Тифлис дэт Кавказ музейм и зэтегъэувэжыныгъэм елэжьырт, абы щыгъуэми къилъэгъуауэ щытащ мывэр. 1953 гъэм Акритас Налшык щыпсэуащ икIи щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щылэжьащ. Мывэм и хъыбарыр институтым и унафэщI КIэ-рэф Къамболэт жриIэжащ. Абы хузэфIэкI лъэпкъ къигъэнакъым мывэр республикэм къашэжынымкIэ. 1957 гъэм мывэр институтым и щIыхьэпIэм деж ягъэуващ. Иджыри зы ящIри, Бахъсэн Ипщэ щагъэуващ Хьэшыр Чылар и сыным деж. IУТIЫЖ Мажид. Япэ итахэр Лъагъуэхэш … ЦIыхухэр Iуащхьэмахуэ хуэкIуэрт. Дыгъэ бзий гуащIэхэм щахъумэн папщIэ, абыхэм я нэкIухэм гын щахуащ. Экспедицэр 1829 гъэм генерал Эммануэль къызэригъэпэщат. ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ жэуап ихьырт академик, геофизик цIэрыIуэ, минералог, Петербург щыIэ физикэ обсерваторием и къызэгъэпэщакIуэ икIи и япэ директор Купфер Адольф (1799 — 1865). Гупым хэтт физик Ленц Эмиль. Зоологие къэхутэныгъэхэр и пщэ далъхьат иужькIэ Урыс энтомологие обществэр зэхэзыша Менетрие Эдуард (1802 — 1861). Менетрие дэIэпыкъурт илъэс 13 зи ныбжь Вознесенский Илья, щIэныгъэм хуабжьу хуэпабгъэ щIалэ цIыкIур. ИужькIэ Вознесенскэр музей коллекцэхэр зэхуэзыхьэс цIыху цIэрыIуэ хъуащ. КъэкIыгъэхэр джыным теухуа лэжьыгъэр лъысащ ботаник Мейер Карл (1795 — 1858), иужькIэ ар щытащ ЩIэныгъэхэмкIэ Академием и Ботаникэ жыг хадэм и унафэщIу. Петербург щыщ еджагъэшхуэхэм Эммануэль и жэрдэмкIэ яхыхьащ Венгрием щыщ зекIуэлI Бессе Янош. 1829 — 1830 гъэхэм абы Кавказымрэ Тыркумрэ къыщикIухьащ, Венгриемрэ Кавказымрэ щыпсэу лъэпкъхэм пасэ зэманым яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэр къихутэу. Абы и къэхутэныгъэхэм лъабжьэ хуэхъуащ «Кърымым, Кавказым, Грузием, Армением, Азие ЦIыкIум, Константинополь дызэрыщыIар» тхылъыр, 1838 гъэм Париж къыщыдэкIар. Художник папщIэу экспедицэм Эммануэль хигъэхьащ Кавказым и нарзаныпс къыщIэжхэм я архитектор Бернардацци Иосиф (Джузеппе). 1829 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м экспедицэм хэтхэр Петербург къыдэкIащ икIи Константиногорск (апхуэдэущ абы щыгъуэм Псыхуабэ зэреджэу щытар) мазэм и кIэм нэсащ. Абы щежьэри, еджагъэшхуэ гупыр Балъкъ тет Мывэ Лъэмыж быдапIэм (иджы Каменномост къуажэщ) нэсащ. Мыбдеж къащыпэплъэрт лъэсырыкIуэхэмрэ къэзакъхэмрэ зыхэт зауэлI гупышхуэ. КъэхутакIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщын папщIэ экспедицэм щIыгъут лъэсырыкIуэхэу цIыху 650-рэ, къэзакъ 350-рэ. ТопитI иIэт. А псори щIыгъуу экспедицэр гъуэгу техьащ. Языныкъуэ махуэхэм километр щэщIым нэс икIуфырт. Бадзэуэгъуэм и 8-м псори нэсащ Балъкъ къыхэлъадэ Харбас псым. Мыбдеж топхэр, нэгъуэщI хьэпшыпхэр къыщагъанэри, Балъкъ аузым дэту дэкIуеящ икIи абдеж къыщыувыIащ. Академик Купфер зи пашэ гупым зыхуигъэхьэзыру щIидзащ Iуащхьэмахуэ дэкIуеиным. Зыхуеину Iэмэпсымэхэр ягъэхьэзыращ. Эммануэль экспедицэм щIыгъу къэзакъхэр, адыгэхэр, балъкъэрхэр зэхуишэсащ икIи абыхэм яжриIащ япэу Iуащхьэмахуэ дэкIым саугъэту сом 400, етIуанэм сом 200 зэраритынур. Бадзэуэгъуэм и 21-м пщэдджыжьыр сыхьэти 10-м Купфер, Ленц, Менетрие, Бернардацци, езыхэм яфIэфIу къахыхьа къэзакъ тIощI, гъуэгугъэлъагъуэхэр я гъусэу, хэщIапIэм текIри, Кавказым и бгы нэхъ лъагэ дыдэм кIэрыхьащ. СыхьэтихкIэ кIуа иужь, уэсым нэсахэщ. Ахэр лъэныкъуэ псомкIи куууэ къэча къырхэм нэсащ. Зы къыр гуэрым и щIагъым нэху къыщекIащ. Бадзэуэгъуэм и 22-м жэщыр сыхьэтищым нэблэгъауэ мазэм и нэхум хэту гупыр Уллу-Мамет-Дерку мылылъэм нэсащ икIи Iуащхьэмахуэ и къуэкIыпIэ щыгум дэкIыу хуежьащ. Мис мыпхуэдэу итхыжауэ щытащ Купфер: «Ди гъуэгур зэм занщIэ, зэм нэшэкъашэ хъурт. Дыгъэм уэсыр къимыгъэтIатIэ щIыкIэ щыгум дынэсыну дызэрыхущIэкъуам ди къарур щIихащ. ИкIэм-икIэжым дэ дыкъэувыIэн хуей хъурт зы лъэбакъуэ тчыхукIэ. Хьэуар апхуэдизкIэ къыдэмэщIэкIырти, дыбауэ щхьэкIэ тфIэкIуэда къарур зэфIэувэжыртэкъым. Лъынтхуэхэр хуабжьу къеуэрт. Си Iупэхэр мафIэм исырт, бгырысхэм я чэнджэщкIэ си нэкIум гын щысхуа пэтми, си нэхэм яхуэшэчыртэкъым дыгъэ бзий гуащIэхэр. Сыгупсысэжыфыртэкъым, си щхьэр уназэрт. ИужькIэ дэ зыщыдгъэпсэхуну мурад тщIащ Къыр фIыцIэжьым и щIагъым». Метр 4270-м нэсауэ Купферрэ абы щIыгъуахэмрэ адэкIэ зэрымыкIуэжыфынур белджылы хъуащ. Экспедицэм хэтахэм ящыщу Хьэшыр Чылар и закъуэщ 1829 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м пщэдджыжьыр сыхьэт 11-м Iуащхьэмахуэ и щыгум нэсыфар. «ЛIыгъэшхуэ зыхэлъ адыгэлIым абдеж и башыр щыхитIащ, мывэхэмкIэ къигъэтIылъыхьри. ИужькIэ къехыжу хуежьащ, — къыщегъэлъагъуэ Соколовэ Н.В. «1829 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ академиер Iуащхьэмахуэ зэрыщыIар» тхыгъэм. — Бгым дэкIыным абы тригъэкIуэдар сыхьэти 8 иримыкъущ. Чылар щыгум кърихащ мывитI. Зыр Эммануэль ЩIэныгъэхэмкIэ академием хуригъэшащ, адрейр Бессе саугъэт хуищIащ, еджагъэшхуэр зыщыщ Пешт къалэм и музейм щIилъхьэн папщIэ. Еджагъэшхуэхэмрэ Чыларрэ бгым зэрыдэкIым зэпымыууэ кIэлъыплъащ Iуащхьэ лъабжьэр зи хэщIапIэхэр. Эммануэль иIыгът Купфер кърита нэрыплъэ гъуэзэджэр. ХэщIапIэм щыIэхэм ялъэгъуащ гупыр къызэрехыжыр, Ленц и увыIэпIэр, апхуэдэу Чылар щыгум зэрыдэкIар. Чылар щыгум нэса иужь Iуащхьэмахуэ къызэрагъэIурыщIам и щIыхькIэ хэщIапIэм фочхэр щагъэуащ. «Щыгум нэсыфа Чылар дэ нэхърэ нэхъ Iэзэу къигъэсэбэ-пащ пщэдджыжь хьэуам и щIыIагъыр, — итхыжащ иужькIэ Купфер. — Ар дэ куэдкIэ ди япэ уэсыр сыт хуэдэ зэмани зытемыкI щIыпIэм нэсащ икIи Ленц езым и иужьрей увыIэпIэм щынэблэгъам, Чылар къигъэзэжауэ щыгум къехыжырт. Шынэ зымыщIэ щакIуэу щыт абы щIыналъэр фIы дыдэу ицIыхурт икIи бгы лъагэхэм дэкIыфу зригъэсат. Ар хэщIапIэм дэ ди япэ къэсыжащ, езым зэрихьа лIыгъэм папщIэ къызэригъэгугъа саугъэтыр Эммануэль къыIихын папщIэ. АрщхьэкIэ иужьрейр дэ къытпэплъащ, гуфIэгъуэр дызэхэту псоми тIэтын папщIэ. Бгым къехыжа Чылар яфIэтелъыджэу къеплъырт экспедицэм хэт псори – ар иджыри къэс цIыху зыдэмыкIыфыну къалъытэу щыта Iуащхьэмахуэ и щыгум щыIат. Ар ящышынакъым лъагагъми, зэи къэмыткIу мылылъэхэми, а бгым и щхьэм нэса дэтхэнэри фIэкIыпIэ имыIэу зэрыхэкIуэдэнум теухуауэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хъыбархэми. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту генерал Эммануэль гъуэгугъэлъагъуэ Хьэшыр Чылар сом 400-рэ цеипхъэ щэкIрэ саугъэту иритащ. ЦIыхур япэу Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIам къыхэкIыу 1829 гъэм шыгун плитауэ 2 ягъэжащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Кушмэзыкъуей къуажэм (иджы Бахъсэн районым щыщ Старэ Крепость къуажэ) щыщ адыгэ мэкъумэшыщIэ къызэрыгуэкIыр Iуащхьэмахуэ япэу дэкIащ. БАЙДАЕВ Муса. («Им покоряются заоблачные выси» тхылъым (Налшык, 1979 гъэ) къыхэтхащ).
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100086.txt" }
Бжьыпэр яутIыпщынукъым Къэбэрдей—Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, гектар мин 20-м хьэцэпэцэр щыIуахыжащ. Ди республикэм гъавэрэ джэшхэкIыу гектар мин 212-рэ иIэщи, абы щышу гектар мин 51,5-р гуэдзщ, мин 19,7-р хьэпцIийщ, мини 137,3-р ерыскъыпхъэ нартыхущ. Япэ хэгъуэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, мэкъумэшыщIэхэм гъэр яхуэфIащ, гуэдз гектар къэс ику иту центнер 34 — 35-рэ къытрах. Нэгъабэ ди гъавэгъэкIхэм тонн 1 мелуанрэ мин 200-рэ кърахьэлIэжащ, мы гъэми абы нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ мэгугъэ. Мы зэманым хэгъуэр и гуащIэгъуэу щокIуэкI Прохладнэ, Май, Тэрч щIыналъэхэм. Тафэтес хозяйствэхэм гъавэр сыт щыгъуи щынэхъ пасэщ икIи щынэхъ бэвщ. Къапщтэмэ, республикэм и гъавэщIапIэхэм я процент 70-р Джылахъстэнейм хеубыдэ. Мэкъумэш техникэхэмкIэ зыхуей хуэза районхэр хэгъуэр и чэзум зэрызэфIагъэкIыным иужь итщ. ЖыггъэкIхэм я Iуэхури Iейкъым. Урысейм пхъэщхьэмыщхьэу къыщрахьэлIэм и Iыхьэ щанэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. 2020 гъэм ди щIыпIэм пхъэщхьэмыщхьэ зэмылIэужьыгъуэу тонн мин 500-м щIигъу къыщыпачыжащ. Ар ипэ ита илъэсым нэхърэ хуэдитIым нэблагъэкIэ нэхъыбэщ. НобэкIэ жыгхэм яIэ щытыкIэм тращIыхьри, мы гъэм тонн мин 530-кIэ мэгугъэ. Гъатхэм жыгыу гектар 850-рэ хасащ. Ар я мурадам и зэхуэдитIым щIегъу. Бжьыхьэ дызыхуэкIуэм иджыри гектар 650-рэ хасэнущ. ЖАНХЪУЭТ Зузэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100090.txt" }
Кърур и закъуэу уэгум къремынэ! ГъукIэныр япэ дыдэ цIыхум IэщIагъэ хуэхъуахэм ящыщщ. Пасэм ар IэщIагъэ къудейуэ мыхъуу, мэгъугъэу къалъытэрт. Апхуэдэу щIыщытыр мафIэр — дунейм и къэхъугъэхэм ящыщу нэхъ IэубыдыпIэншэр, шынагъуэр — къагъэIурыщIэурэ гъущIыр жыIэдаIуэ зэращIыфыр арагъэнут. ГъущI плъа сыджым телъым уадэкIэ еуэху хъуаскIэр къыпылъэлъырт. ХъуаскIэм къыщалъэтыхь кIыщыр къуажэм пэIэщIэу, нэхъыбэм псы ежэхым пэгъунэгъуу щытти, абы нэхъри гурыщхъуэ къыхэкIырт мы IэщIагъэр зыIэщIэлъхэр адрей цIыхухэм емыщхьу. А IэщIагъэ хьэлэмэтым пэрыта, «и уадэр уэрэд жиIэу, къигъафэу, мо хужьу плъа гъущIым зэрытехуэу, хупхъэм тхьэвыр зэрыхихум хуэдэу, хихуу, зыхуейм хуигъакIуэу» кIыщым щIэта цIыхум уадэ хьэлъэр къыIэщIэпхрэ Iэпэрытхэр IэщIэплъхьэмэ, сыту пIэрэт къэхъунур? Къэхъунуращи, тхакIуэ, усакIуэ хъунущ. Хъунущ жьакIуэ. И гупсысэкIэ жаным мэгъуфэ къытригъауэу, и псалъэ пэжым цIыхупсэм щIыкIэ ириту, къигъэщI лIыхъужьхэр хэти фIым и IэщакIуэрэ ем и лъыхъуакIуэу, хэти фIым и IэщакIуэр зыпэщIэт ем и лэжьакIуэрэ гущыкIыгъуэу. Ар-тIэ зэсар махуэм хъуаскIэр къыпылъэлъу «Тхьэм ибгынэжа гъущI кIапэжьым псэ хилъхьэрэ» хьэпшып щхьэпэ къыхищIыкIыу, жэщым пщIыхь дахэ епщIыхьущ: Лъэпщ и лъащэIэмпIэм бгъэдэтщ, нарт Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейм тесрэ и бжыщхьэ дыкъуакъуэр сысу къыIуохьэ, и пыIэ щыгум дыгъэр кIэрахъуэу къитщи, уригъэплъыркъым, тажыр зэрыщхьэрихыу, Къэжэр ХьэкIашэ мэхъу. Иджы, кIыщым къыщIэбэкъукIри, щIэныгъэм и бжэр зэIуихащи, къегъэщI дуней зэмыфэгъу, дызэсэжауэ нэм къыфIэмынэжым и телъыджагъыр къыдигъэщIэжу, псэуныгъэм дыпыщIаурэ гу зылъыдмытэ дахагъэхэр къытхузэIуихрэ, ди нэхэр игъэхъуэпскIыу, ди щхьэ Iуэхум дитхьэкъупауэ дибгъукIэ къыщыхъу насыпыншагъэ дымылъагъуххэм дришалIэрэ, быдэ хъуа цIыхугур къигъэщIытэжу, игъэузу. Зы гъукIэ хэмыIэбэу езыр-езыру гъущIым къыхэщIыкIам хуэдэ хъуа цIыхум и псэр къыIуигъэкIэжынурэ, хигъэплъэжынущ зытет щIым хьэлэмэт куэд къызэрыщыхъум, Iейри фIыри зэрызэхэухуэнам, пэжри пцIыри зэрызэдэгъуэгурыкIуэм, дахэри наджэIуджэри зэрызэдэпсэум, жэщкIэ вагъуэхэр къызэрытхуеплъыхым, махуэкIэ удз гъэгъа гурыхьхэм мэ гуакIуэ къазэрыпихым, хъуреягъым зи Iуэху дэкIи тхьэмыщкIи зэрыщыкуэдым. ЖыхуэтIэ псори зыбгъэдэлъар, зылъэкIар Нало Заурщ. Ар кIыщым къыщIэкIащ гъущIым хуэдэу и хьэлыр псыхьауэ, зыри зыкIи зыщымыгугъыж гъущI кIапэм псори зыхуэныкъуэ хьэпшып дахэ къыхищIыкIыу зэрыщытам хуэдэу, и псалъэ Iущ, шэрыуэмкIэ цIыхум я гум дахагъэм абгъуэ щригъэщIыфу, зыр адрейм хуэныкъуэ ищIыжыфу, Iеймрэ фIымрэ зэхагъэкIыу фIым и телъхьэ хъуну къыхуриджэу. Заур гъукIэу къэнащ. Iэмэпсымэр ихъуэжауэ аркъудейщ. Тыншкъым лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыну гупсысэ нэхъыщхьэр адрей псом къыхэбгъэщхьэхукIыу, цIыхум я деж нэсын псалъэкIэ къару щIэплъхьэну. Нало Заур емызэшыж гъуазэу лъэпкъым иIащ, псом нэхъапэр щIэныгъэрауэ зэрыщытыр езым и щыIэкIэмкIэ нахуэ ищIрэ къигъэщI образхэмкIэ щIигъэбыдэжу. ЩIэныгъэу щыIэм ящхьэжыр анэдэлъхубзэр фIыуэ пщIэныр зэрыарар псэуху жиIащ, а гупсысэр «сэ сыадыгэщ» жызыIэ дэтхэнэми и гум щипсыхьу. Налом и щIэныгъэ лъэщапIэм къыщIэкIа беягъым адыгэ дунейр зэIузэпэщ ищIыфынущ, абы къыщылыда гупсысэхэм я хъуаскIэм адыгэ дунейм къуапэлъапэу иIэр къигъэнэхунущ. Джын, зэгъэщIэн хуейуэ аркъудейщ. И щIалэгъуэм кIыщым щыщIэтамрэ адэкIэ къигъэщIа гъащIэр тхэным зэрытриухуамрэ зэпыхыпIэ имыIэу зэрызэпытыр шэчыншэ ещI езыми гъукIэр мызэ-мытIэу и рассказхэм лIыхъужь зэрыщищIам, цIыхур зыгъэцIыху щытыкIэ дахэу щыIэр абы зэрабгъэдилъхьам. «Къру закъуэ» зыфIища тхылъыращ Налор зэи IэщIыб ямыщIыжыфын тхакIуэу тхылъеджэхэм къезыгъэцIыхуар. А фIэщыгъэ дыдэр зезыхьэ новеллэм къыщытцIыху Къэжэр ХьэкIашэ адыгэ литературэм и мызакъуэу, дунейпсо литературэм къигъэщIа образ нэхъыфIхэм ящыщщ. ЦIыхугъэ нэгъэса зыхэлъ, и къуажэгъухэм я деж емыкIу гуэр къыщихьынкIэ гузавэу, къыхуэныкъуэхэм асыхьэту къагъуэтын хуейуэ къэзылъытэ гъукIэм и гъэсэн БлутI, «кIыщым лэжьыгъэ щIэлъкъым, сыт щытщIэнур?» щыжиIэкIэ, жэуап ирет: «…Догуэ, зыгуэрым и фIанэ къутауэ къокIуэ, лIо пщIэжынур? Уи напэр текIакъэ?» ГъущI кIапэр шыр теувэхукIэ тхыпхъэ тезыдзэ налым хуэзыгъакIуэ ХьэкIашэ и гъэсэным игуми тридзащ напэм, укIытэм, хьэтырым, зэхэщIыкIым, щысхьым я нагъыщэ. Хэгъэзыхь хэмылъу, уэршэр защIэкIэ щIэныгъэм и IэфIыр зыхригъэщIащ, псалъэр игъэджэгуурэ, зыпэмыплъэхха упщIэ къыхуигъэувурэ гупсысэкIэ иригъэщIащ. ЩоджэнцIыкIу Алий, Пушкин Александр, Лермонтов Михаил сымэкIэ литературэм и гъунапкъэхэр зэрымыгъэбыдам щыгъуазэ ищIащ. ХьэкIашэ и кIыщым гъущIхэкIым къыхэпщIыкI хъуну хьэпшыпу цIыхум къыщамыгъуэта къэнакъым, ауэ а псори зэ лэжьэжынут, къутэжынут, сыт хуэдэу Iэзэу ар гъукIэм имыщIами. Ауэ БлутI къыхилъхьар мыкIуэдыжын, мыкIуэщIыжын, мыужьыхыжыну лъэпкъым деж къыщыщIидзыжащ. Мыбдежым гугъу мэхъу новеллэм хэт лIыхъужьымрэ ар зи гупсысэ къыхэтэджыкIа тхакIуэ дуней нэпцIу жыхуаIэм щыпсэумрэ щхьэхуэныгъэ гуэр яку илъу къэпхутэныр. БлутI и нэкIэщ и гъукIэм дызэреплъыр, Налом и псалъэ къэуатхэмкIэщ а тIум я хьэлэмэтагъыр къэIуэта зэрыхъур. ЦIыхум и гъащIэр щыз хъун папщIэ зыхуеину хъуар бгъэдэлът ХьэкIашэ: зыми хуэмыдэ IэщIагъэ, къызэрымыкIуэ гупсысэкIэ, IэпэIэсагъэкIэ къилэжьа пщIэшхуэ, щIэныгъэ куу, гушыIэ дахэ, хуэфэщэн ткIиягъ… Ауэ сыт мы лIыжь Iумахуэм гущIэгъу хуэтщIу новеллэр щIиухыр? Нэхъыщхьэ дыдэу зыхуэныкъуа гуэр къимыгъуэтауэ къыпщохъу. ЖимыIэ гуэр псэкIэ псэуху игъэва хуэдэщ. Абы гъущIым къыхищIыкIат къру закъуэ, уэгум иту жьым хэсыхь фIэкIа умыщIэу. И дамэшхуэхэр щIеупскIэ, и пщэмрэ и лъакъуэхэмрэ укъуэдиящ. И дамэ Iэтахэр тIэкIу къызэрыгъэша щIыкIэм псэ хэту къыпфIегъэщI. «Сурэтым псэ зэрыхалъхьэ Iэмалыр дэнэ къыщищIар ХьэкIашэ — игъащIэм сурэт зымыщIа, ящIуи зымылъэгъуа ХьэкIашэ?» — егъэщIагъуэ БлутI. АрщхьэкIэ… КъыкъуэкIащ зы лIы гъум кIэщI, къру сурэтыр зыщIар ХьэкIашэу къыщищIэм: «Ау-у-у-! Ар дауэ уи псэм дэхуа?…», — жиIэу. ГъукIэм и къру закъуэр сыдж упщIапхъэм трилъхьэри, цIыкIу-цIыкIуу зэпигъэлъэлъыжащ. ХьэкIашэ и Iэр зыхуихьыжа хуэдэу мэIу а псалъэхэр. Сыту гущIыхьэ укъызыгурыIуэн ущимыIэр! ДалэфI дэкIауэ щызэхуэзам, БлутI и гъэсакIуэм къыжриIэгъауэ щыта псалъэ шэрыуэхэр игу къыхуигъэкIыжат: «Къру закъуэр уэгум къинэмэ, кIуэдыгъуафIэ мэхъу, лIы пелуаныр закъуэ хъуамэ, сабий хуэдэ къонэ!». И IэдакъэщIэкI телъыджэр щызэпигъэлъэлъыжам нэхърэ мынэхъ мащIэ гуауэ хэлъщ ХьэкIашэ абы иритыжа жэуапым: «Иджыри къэс пщIэжрэ ар, БлутI?!» И пащIэ къетхъухам нэщхъейуэ къыщIэгуфIыкI хуэдэу ищIат. ХьэкIашэ езым и дуней иIэжт, уэрэд, усэ, хъыбар хьэлэмэт, псалъэ дахэ, гурыщIэ куу, щIэныгъэ зэпэщ щызекIуэу. Ар езым и псэ закъуэр щыхъуапсэ дунейт… Хишэн, хыхьэфын иIакъым. Хъуреягъым щыIэм къызэралъытэмкIэ, псэ зыIутым и сурэт пщIы хъунутэкъым, гуэныхьт, жыхьэнмэт. Езым и сурэтщ ХьэкIашэ ищIар. «Си закъуэпцIийуэ уэгум ситу, сыгузавэу, сыджэу, си гъусэхэр кIуэдарэ сымыгъуэтыжу, сышынэу, сыпIейтейуэ Iэджэрэ пщIыхьэпIэу слъэгъуащ», — къыжреIэ абы БлутI. Апхуэдэуи ихьащ и гъащIэр. Ауэ, и нэгу къыщIыхьэмкIэ, и къэухьым къиубыдымкIэ, и псэр зыхуэпхъэрымрэ и гущIагъщIэлъхэмкIэ зыдэгуэшэн акъылэгъу имыIами, и хъуахуэ зытрихьа щыIащ: БлутI къыхэкIащ ар зыщIэхъуэпсар зыгъэзэщIэн телъхьэгъу. ГъукIэгъэсэныр хъуащ IэпщIэлъапщIэ, щIэныгъэрылажьэ, гущхьэгъэсэныгъэ лъагэ зиIэ, къэухь Iузэ зиIэхэр зыузэщI, псэкIуэдащIагъэр, сурэт щIыныр мыхъуу, нэгъуэщI щытыкIэ гуэрхэм зэрепхар езыми къыгурыIуэу, нэгъуэщIхэми къагуригъаIуэу. Мис мыбдежи зэхэгъэкIыгъуей щохъу литературэ лIыхъужьыр щиухымрэ дуней нэпцIым щыпсэу цIыхум къыщыщIидзэмрэ. Абы наIуэ къещI Налом ди пащхьэ кърихьэ дунейр гъащIэм зэрыпыщIар, зытетхыхьхэр абы къызэрыщигъуэтар, ауэ, дауи, дигъэлъагъур а къигъуэтахэм трищIы- кIа сурэт къудейкъым, атIэ философие, психологие, тхыдэ пэж и лъэныкъуэкIэ узэда Iуэхугъуэхэмрэ теплъэгъуэхэмрэщ. Нобэрей махуэр зыхуэныкъуэ цIыху гъэсэкIэ телъыджэ щыдолъагъу «ГъукIэкъуэм и лIыгъэ закъуэ» новеллэм. Абы къыхэщ гъукIэ лIыжьым и къуэм къыхузыкъуих ткIиягъым хуэдэ иджырей адэ-анэм къалъыкъуэкIыныр узыщымыгугъынщ. Къэухьым къриубыдам елъытащ гур зыхуэпхъэрыр: ди Iуэху еплъыкIэр, гурыIуэкIэр, тхэлъ хабзэр. Сытым къыпкърыкIа гъукIэм шхуэр къищтэу ешыху и къуэр иукIыныр, щIалэр зэрыгушхуэ и пащIэр иупсын хуейуэ унафэ хуищIыныр, псом ящхьэжыращи, лIыгъэ зехьэпIэ ихуауэ къилъытэу къидыгъуа пщIэгъуалэр къызэришам хуэдабзэу зейм хуишэжыну зэрыпигъэувар? ПщIэгъуалэр ишэжыну къудейкъым, саур фIыцIэ зытебза адыгэ къамэ Iэпщэхур телъхьэ хуищIынущ. Бын пэпсалъэр мыхьэлэмэтыж щыхъуа нобэрей махуэм диплърэ новеллэм къыщыIуэтар къыщыхъу далэм дыхуеплъэкIыжмэ, узрегъэхъуапсэ лIыжьым и унафэр гъэзэщIа зэрыхъунум зы шэчи къызэрытримыхьэм. — Iэбжьанэ фIейкIэ упсэуну мурад пщIауэ ара? — мы зы упщIэр унагъуэм илъ зэхущытыкIэми зэрыунагъуэу гъащIэм хуаIэ щытыкIэми и жэуапщ. Лажьи шхэж, зыми зэран ухуэмыхъу, уи пщIэр Iыгъыж, узыгъэсам и пщIэр лъагэу Iэт. Армырамэ… Уи псэм бэлыхьищэр телъу къэбдыгъуа шыр уи напэр сыуэ, уи фэм уипщхьэжу, къызыфIэбдыгъуам хуэпшэжынурэ зыбумысыжынущ, «къысхуэгъэгъу» къикIыу, саур фIыцIэ зытебза адыгэ къамэ Iэпщэхури IэщIэплъхьэнущ. А щIалэм и гъащIэм а гъуэгуанэм нэхъ гугъу къыхухэхуауэ къыщIэкIынукъым — я пщIантIэм къыдишу къэзакъ къутырым зыша гъуэгур. Шыр къыщидыгъуам лIыгъэ зэрихьауэ къалъытами, лIыгъэу хэлъым хуэныкъуэ щыхъужар а гъуэгуанэм техьа нэужьщ. УкIытэрт. Дауи, гъукIэм и къуэр иужэгъужатэкъым, адэ лъагъуныгъи хуиIэт, щысхьуи, фIэгуэныхь хъууи къыщIэкIынт, ищIар щIалагъэ-делагъэм къызэрыхэкIари къыгурыIуэрт. И гурыщIэхэм япэ иригъэщащ напэр. Хуейт и къуэр цIыху дыдэ хъуну. Нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ и къуэм илэжьа щIэпхъаджагъэр иригъэбзыщIыну а лIым Iулъхьэ иту. Iулъхьэ итащ и напэр итхьэщIыжыну. — ГъукIэ Iэзэу къыщIэкIынщ уи адэр? Шэч хэмылъуи лIыфIщ, — къыжреIэ псори къызыгурыIуа къэзакъым. Адэм и Iэпэ къыпыкIа къамэм и дахагъымрэ и цIыху пэжагъымрэ ихьэхуащ хамэбзэкIэ псалъэ, хамэ хабзэ зезыхьэ, хамэщI къикIа цIыхур. Зи Iэпэ дахэ къыпыкIыр дахэ щIэхъуэпсу псэуращ. Апхуэдэущ абы къызэрыгурыIуэр: къамэм тращIыхь тхыпхъэм и закъуэкъым дахэн хуейр. Иредахэ хьэл-щэныр, зэхущытыкIэхэр, гупсысэкIэр, Iуэху зехьэкIэр. Нало Заур гъащIэм и зы Iыхьэкъым зытетхыхьар. Ихъуреягъым къыщыхъум гупцIанэу пэджэж тхакIуэм езым и унагъуэм игъэунэхуа гуауэри лъэныкъуэ хуегъэзакъым. «Ди адэр зэрагъэтIысар» зыфIища новеллэм къыщыгъэлъэгъуэжар фIища цIэм зы унагъуэ Iуэхуу къыпщигъэхъуми, апхуэдэ гузэвэгъуэр куэдт. Щысхьыншэу цIыхур щагъэкIуэд лъэхъэнэт. А зы унагъуэм и тхыдэмкIэ тхакIуэм ди нэгу щIигъэкIыжащ щIэпхъаджагъэр хабзэ щытыкIэм ирагъэувауэ, хейр мысэ щIыныр пщэрылъ зыщащIыжауэ, лей зехьэныр захуагъэр хъумэным пагъэкIуауэ къэрал псом щызекIуа гъащIэр, ем къызэгуичхэм я гур лажьэ зимыIэм трагъэпщэхэну игъуэ зэрихуар. Псалъэ хэIэтыкIаи мылъыхъуэу, ткIийуэ зыри имыукъуэдийуэ, ауэ щысхьырабгъу зымыщIэ пэжыр къиIуатэурэ, дигъэлъэгъуащ гу къабзэ зыкIуэцIылъ цIыхухэри екIуэкI далэм хуэкIуэ фэ зытезыгъэлъэдэф пцIыIуэпцIышэ лейзехьэхэри. А лейм и кууагъымрэ зэрышэчыгъуеймрэ къеIуатэ гуузу зи адэр яукIа, иджы гущIыIэ-псэщIыIэхэр «фызабэкъуэкIэ» зэджэ щIалэ цIыкIум и щытыкIэм: «Си псэр шэдыбжь мафIэм пэрылъщ. Си гум шабзэр пхридзащ. Дунейр апхуэдизу гуажэщ, апхуэдизу гуемыIущи, слъэкIамэ, скъутэжынут, уафэ IупщIэхэр къеджэрэзэхыу, вагъуэхэр къелъэлъэхыу». Сыт хуэдэ псантхуэрэ акъылрэ уиIэн хуей апхуэдэ гуауэм укъыхэхъукIыу, цIыху дыдж умыхъуу, уи лъагъумыхъуныгъэм дунеижьыр зэщIимыщтэу, лъыщIэжыным упымыхьэу, гъащIэ зэщымыщхъур зэтегъэувэжыным упэрыхьэн папщIэ? Аргуэрыжьщи, дэнэ нэс мы дызытепсэлъыхьым литературэр, дэнэ деж ди дуней нэпцIкIэ зэджэм къыщыщIидзэр? «Ди адэр зэрагъэтIысар» зыфIища новеллэм Заур къыщигъэлъэгъуэжащ къэхъуа залымыгъэмрэ залымыгъэзехьэ лIыгъэтIысхэмрэ, абыхэм къагъэхъуар зи фэм дэкIа насыпыншэхэр. Хабзэхъумэ зыфIэзыщыжа хабзэкъутэхэм лъэпкъым зэраныгъэу къыхуахьам и щыхьэтщ мы новеллэр, дегъэлъагъуж къуажи къали гуIэ нэпскIэ зэрагъэнщIар, лэжьыгъэм хэзагъэхэр, псэукIэ зыщIэхэр зэрагъэкIуэдар, цIыхур гъэпудыныр, гъэмэжэлIэныр, щIыIэм егъэсыныр, и псэр щхьэзыфIэфIагъкIэ гъэныныр IэщIагъэрэ Iэужьу зэраIар. Сыту гуауэ зэхуэдэу гугъу зэдехьу дыгъуасэ зэдэлэжьахэр, пцIыупсу къэмыгъуэгурыкIуахэр зыр адрейм щыхьэтнэпцI хуэхъуным ирахулIэфу зэрыщытар. Лъэпкъым и щыIэкIэрэ ар къызэриIуатэ бзэм и Iэмалу Нало Заур и новеллэхэм къыщимыгъэсэбэпа къэнакъым. ЩыIэкIэм — пэжыныгъэ, жыIэкIэм — Iэзагъышхуэ хэлъущ къызэригъэлъэгъуар. Ди тхыдэр тщIэжыну дыхуеймэ, абы хэта гуауэмрэ пцIымрэ къытригъэзэну дыхуэмеймэ, ди псэр дузэщIынумэ, псэкIи IэпкълъэпкъкIи узыншэ щIэблэ дгъэсэнумэ, Нало Заур и псэ лъэщапIэм къыщIэкIа тхыгъэхэм деджэурэ Iущ зытщIыныр зы хэкIыпIэщ. «Къру закъуэ» тхылъым фIэкIа щIэдмыджыкIми, гъащIэкIэ зэджэм и фIыпIэм хэша дыхъунурэ ар къызэрыIуэта адыгэбзэ гуащIафIэри дгъэщIэгъуэнущ, лъэпкъыу дыкъызэтенэнущ. «ТIатIунэ и жэмыкуэр» новеллэм хэт гъукIэгъэсэн Брун ищIа брур зыхуащIам гулъэгу ныкъуэщIым хеIури, игъэкIэрахъуэу щIедзэ. Зэрыхъуар щилъагъукIэ, жеIэ: «Къащтэ КъурIэн, езы ХьэкIашэ ищIа хуэдэкIэ!» Абы ищхьэжкIэ кIуэ щытхъу щыIэтэкъыми, щIалэщIэ цIыкIум гуныкъуэгъуэу иIар а щытхъум докIуэдыж, и гум имыхуэж гуфIэгъуэм пэмылъэщыжу гъыну хуожьэ… IутIыж Борис тхьэмыщкIэм и жыIауэ, щымыIа лIыгъэ зыхэтлъхьэрэ зэрамыгугъэу дыкъыщIэкIатэмэ, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу гъукIэ Iэзэ Нало Заур къытхуигъэщIа дунейр нэсу зэдгъэцIыхунти, ХьэкIашэ хуэдэхэм ящIа къру закъуэр щIызэпагъэлъэлъыжын щхьэусыгъуэ щыIэнтэкъым, кIыщ щIыхьэпIэм фIэлъынт гъукIэм я дамыгъэ палъэу… «Нало Заур зыхуеям дыхуэдэкIэ!», — жытIэфыну, ди лъэпкъыр щIэныгъэщIэхъуэпс хъурэ, и анэдэлъхубзэм емылъэпэуэжу, зэрыхуэфащэу лъэпкъыбзэ ищIыжамэ, ди цIыху телъыджэ димыIэжым и псэр Брун нэхърэ зыкIи мынэхъ мащIэу гуфIэнт. Абы и кIыщым къыщызылъэтыхьа хъуаскIэхэр ауэ сытми лыдакъым, езым фIыуэ илъэгъуа и адыгэ лъэпкъым хуэщхьэпэн хуейуэ аращи, къремынэ Налор уэгум къру закъуэу. ХЬЭЦIЫКIУ Рае.22
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100092.txt" }
СурэтыщIым и гъащIэмрэ гуащIэмрэ ятеухуауэ Налшык Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ «Мухадин Кишев. Я родился художником» тхылъыр. КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI КIыщ Мухьэдин и монологхэр зэхуэзыхьэсар ХудожествэхэмкIэ Урысей академием хэт Ступин Сергейрэ и щхьэгъусэ, редактор Татьянэрэщ. Абы илъэситI и пэкIэ гупыж ищIат художникым и гъащIэмрэ гуащIэмрэ ятеухуа тхылъ къыдигъэкIыну. СурэтыщI цIэрыIуэм къикIуа творческэ гъуэгуанэм къыдэкIуэу лэжьыгъэм щызэхуэхьэсащ КIыщым гъуазджэм ехьэлIа и гупсысэхэмрэ еплъыкIэхэмрэ. Абы и псалъэм къыхощ махуэ къэс сурэт зымыщI художникыр художник нэсу къызэримылъытэр. — Тхылъыр ди IуэхущIапIэм къызэрыщыдэкIар си гуапэщ, — жеIэ Котляров Виктор. — КIыщым и «Ладони протяни к огню души моей» япэ тхылъри 2003 гъэм ди тхылъ тедзапIэм щыхутеддзауэ щытащ. КIыщ Мухьэдин и щхьэгъусэ икIи и менеджер Мосс Жаклин къызэрыджиIамкIэ, монологхэр испаныбзэрэ инджылызыбзэкIэ зэрадзэкIыу къыдагъэкIыну я мурадщ. Ар щIалъхьэнущ сурэтыщIым Испанием къыщыхузэIуах музейм. КъыдэкIыгъуэр саугъэтыфIщ тхакIуэхэм, сурэтыщIхэм, КIыщ Мухьэдин и лэжьыгъэхэм дихьэххэм я дежкIэ. Экземпляр 1000 хъу тхылъым художникым и сурэт куэди хагъэхьащ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100095.txt" }
Къурмэн хуащIащ унагъуэ 1000-м щIигъум Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъапIэ Къурмэн хьид махуэшхуэр. Дэтхэнэ зы муслъымэнми къытохуэ къурмэн ищIыныр, ар къызыхихын мылъку бгъэдэлъмэ. ДызэрыщыгъуазэмкIэ, республикэм и цIыху куэдым ягъэзащIэ а къалэн лъапIэр. Абы ирихьэлIэу псапэ зыщIэхэри ди мащIэкъым, апхуэдэхэм зыхузэфIэмыкIхэр гулъытэншэу къагъанэркъым. КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ мы махуэхэм унагъуэ хуэмыщIауэ 1000-м щIигъум къурмэн ящIыну Iэмал иратащ. Iуэху щхьэпэр даIыгъащ республикэ, жылагъуэ унафэщIхэм, псапащIэхэм. КъищынэмыщIауэ, Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэми зыщIагъэкъуащ. Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм сыт хуэдэ IуэхукIи гулъытэ къазэрыхуищIым папщIэ фIыщIэ хуещI КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, апхуэдэуи Къурмэн хьид махуэ лъапIэм ирагъэкIуэкIа псапащIэ Iуэхухэм зи мылъку хэзылъхьа псоми абы фIы къахудэкIуэну йохъуэхъу. — ФIы зыщIэрщ, гуапагъэр зи Iэпэгъурщ, пэжым тетырщ зи Iуэхур сытым дежи дэкIынур, — жиIащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий. — Узыншагъэ, насып, фIыгъуэ фи унагъуэ жьэгум дэлъу, псапэ Iуэхухэм тевгъэкIуадэ мылъкур фхуэбагъуэу Тхьэм фигъэпсэу! ЩхьэщэмыщI Изэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100098.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм ТхьэкIумэкIыхь Шынэкъэрабгъэ Таурыхъ Псей жыгым и лъэдийм кIэрыгъэщIауэ жей Мыщэр гъы макъым къигъэушащ. Ар едэIуапэри, ТхьэкIумэкIыхь цIыкIур зэщыджэрт. Сыту сынасыпыншэ сэ! Сыту сытхьэмыщкIэ сэ! Сэр фIэкIа яшхын щхьэ ямыгъуэтрэ къашыргъэми, дыгъужьми, бажэми. Сэри абыхэм сащошынэри, къызэрыслъагъуу зызогъэпщкIу. Апхуэдизу щхьэ сышынэкъэрабгъэ? — зиухыжыпэрт псэущхьэ цIыкIум. Мыщэжьым ар фIэгуэныхь хъуауэ едэхэщIэну зыщиIэтым, Iэуэлъауэм игъэщта, ТхьэкIумэкIыхьыр щIэцIывэжащ. Мыщэжьыр тэлайкIэ абы кIэлъыплъа иужь, и щхьэр игъэсысщ, и жьэпкъым етIэхъури пыгуфIыкIыу ежьэжащ. Пщэдджыжьым жьыуэ къэуша Къанжэм хуейм и курыкупсэм ит ашыкышхуэм занщIэу гу лъитащ. Псом япэ псори зэзыгъэщIэну зыфIэфI Къанжэм ар гъунэгъуу щызэпиплъыхьым къилъэгъуащ «Нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэ псэущхьэм ейщ» жиIэу зэрытетхар. Уэ-хьэ-хьэхь! Сызэрытеун къэзгъуэтащ. Бажэм дежкIэ секIуэкIынщи згъэбэмпIэнщ, жиIэри ежьащ. Бажэр щхьэукъуауэ Iуащхьэм тести, Къанжэм къигъэщтащ: Бажэ цIыкIу, хэт нэхъ лъэщ дыдэу мы мэзым щIэсыр? — жери. Емынэм уимыхькIэ уэ бзу кIэкIэрейр, сыкъэбгъэщтащ! Ар сыт упщIэкIэ делэ! Сэращ нэхъ лъэщ дыдэр! Ар япэрауэ. ЕтIуанэрауэ. Iэмалищэрэ зырэ зыщIэ Бажэ-жьым къилъхуахэм сащыщщи, сэр нэхърэ нэхъ Iэмалшыи мы мэзым щIэскъым. НтIэ нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэр хэт? — увыIэрткъым Къанжэр. Си жейр степхуащ, Къанжэ. Уи цыр сымыщ щIыкIэ зыIуегъэх! — губжьащ Бажэр. Хъунщ, хъунщ, умыгубжь. Шэджагъуэ нэужьым хуейм деж накIуэ, зэхуэс щыIэнущи, жиIэри Къанжэм Дыгъужьым дежкIэ игъэзащ. Дыгъужьыр мэжалIэти гукъыдэжыншэу Къанжэм къыIущIащ: Сигу ирихьын хъыбар къысхуумыхьамэ, къызжиIакъым жумыIэж, зыц къыптезнэнкъым. ИIэ, къипхъ… Зы упщIэ закъуэ сиIэу арат, Дыгъужьыжь, зыхуигъэцIыкIуащ абы Къанжэм. — Хэту пIэрэ нэхъ шынэкъэрабгъэ дыдэу мы мэзым щIэс псэущхьэр? Арат иджы къысхуумыгъэфащэу къэнэжар! Сэра шынэкъэрабгъэкIэ узэщыр! ЗыIуегъэх, узыIурызмыдзэ щIыкIэ. Хъунщ, хъунщ, умыгубжь. Шэджагъуэ нэужьым хуейм деж накIуэ, зэхуэс щыIэнущи, жиIэри Къанжэр лъэтэжащ адрей псэущхьэхэм хъыбар яригъэщIэну. Шэджагъуэ нэужьым мэзым псэущхьэу щIэсыр хуейм деж щызэхуэсауэ ашыкым щхьэкIэ зодауэ, зэрофыщI. Шынэкъэрабгъэу зыми зимумысыжми дэтхэнэми ашыкыр езым ейуэ тхьэ иIуэрт. Дыгъужьым лъэщыгъэкIэ ашыкыщхьэр яфIытричри и гурыIупсыр къажэу ашыкым щиплъэм: Хэт нэхъ шынэкъэрабгъэр? — жиIэу гъуахъуэу Мыщэр къипщащ. Псэущхьэхэр щтэри псори щхьэж и занщIэу мэзым щIэлъэдэжащ, ТхьэкIумэкIыхь закъуэм фIэкIа къэмынэу. Уэ ущIэпхъуэжакъыми-тIэ? — зыхуигъэзащ абы Мыщэм. Сэ, зиусхьэн Мыщэ, псом нэхърэ сынэхъ шынэкъэрабгъэщ, жиIащ абы и макъыр кIэзызу. Уэра нэхъ шынэкъэрабгъэр? Зыплъыхьыт-тIэ! Дэнэ щыIэ Дыгъужьри, Бажэри? Ахэр псори къысщышынэри щIэпхъуэжащ. Уэ зы закъуэращ си пащхьэм къинар. ТхьэкIумэкIыхь цIыкIу, умышынэу, ущIэмыпхъуэжу пэжыр жыпIащи уэр нэхърэ нэхъ лIыхъужь мы мэзым щIэскъым. Ар сыт щыгъуи уигу игъэлъ. А тIур зэбгъэдэту къэзылъэгъуа псэущхьэхэм Мыщэр зи ныбжьэгъу ТхьэкIумэкIыхьым и Iей абы иужькIэ зэрахуэжакъым. ЗэзыдзэкIар Мэлей ФатIимэщ. Теплъэгъуэхэр Налшык къалэм и щIыпIэ дахэхэм ящыщ зым. 2021 гъэ ЖыIэгъуэхэр ЦIыхубзыр уи яужь къихьэмэ… Унагъуэм тхьэмадэр и щхьэщ, унэгуащэр — и псэщ. ФызыфIрэ лIыфIрэ зэнатIэкъым. ЦIыхубзыр къарууншафэ къарущ, цIыхухъур къарууфIафэ къарууншэщ. ЦIыхубзыр уи яужь къихьэмэ — узыIэрегъэхьэ, къыкIэлъыбжыхьу щIэбдзамэ — пIэщIэкIащ. Уипхъу жепIэрейр езы уи нысэм зэ еIуэтылIи, утыншыжащ. ЦIыхубз дахэр зэ фэладжэ мэхъуж, лъагъугъуафIэр сыт щыгъуи лъагъугъуафIэщ. Дахэр гъуджэ иплъэреймэ, лъагъугъуей мэхъу. ЦIыхухъукIэ насыпыфIэ цIыхубзымрэ цIыхубзкIэ насыпыфIэ цIыхухъумрэ нэгъуэщI щIремыхъуэпсыж. Дыгъуасэ сомыр ирикъухьащ, нобэ кIэпIейкIэ къелъыхъуэж. Дизыкъуажэ нафIэгуфIэщ, къыIэрохьэри хамэ Iыхьэ. Зезыхьами хьилагъэ, къигъэщIакъым гъащIитI. Насыпыр къулеягъэм къыдэкIуэркъым. Къулыкъум къихьа щIыхьыр жыжьэ нэсыркъым. Бейтыгъуэн Сэфарбий. Псалъэ пэжхэр Адыгэ и хьэщIэ быдапIэ исщ Гур кIуэдмэ, лъэр щIэкIкъым. Быдэ и анэ гъыркъым. Бысымыр хьэщIэм и IуэхутхьэбзащIэщ. АдрыщIым ущIэдэумэ, мыдрыщIыр къыплъысынщ. Акъыл зиIэм шыIэ иIэщ. Банэ хуэдэ зэхэплъхьэр данэ хуэдэу зэхэпхыжынщи, данэ хуэдэ зэхэплъхьэр банэ хуэдэ зэхэпхыжынщ. Бэлэрыгъым гъатхэр къыхуэлъэщ. Адыгэ и хьэщIэ быдапIэ исщ Гугъэ нэпцIыр щхьэгъэпцIэжщ. Бгъащхъуэ гушхуар жьындум жьэхэхуэри ишхащ. Бгъуэ егъапщи, зэ пыупщI. ГужьеигъуафIэ унэхъугъуафIэщ. Бзаджэ гъусэм мысэ уещI. Гунэс ямыщI саугъэт умыщI. АкъылыфIэм делэми бзэ къыхуегъуэт. Бзылъхугъэ пшэрыхь хущанэ. Биижь умыгъэблагъи, уи адэ и благъэжь умыбгынэ. Бийр къыпщытхъурей хъумэ, умыбэлэрыгъ. Блэр мэжей жыпIэу и кIэм утемыувэ. Губгъуэм ущымыкъэрабгъэ, унэм ущымылIыхъужь. Гъуэгужьрэ фызыжьрэ умыбгынэ. Бэрэ хашэ иш фIокIуэд. БгитIыр зэIущIэркъым, цIыхуитIыр зэIуощIэ. Гъуэгум лъыхъуэркъым — щIоупщIэ. Анэм лъэгу щIэтын зыхуэщI. Ахъшэ мыбж зэIахыркъым. Хъуэхъу Иорданием щыпсэу Шыфэкъуж Санэ и ныбжьыр нобэ илъэс тIощI ирокъу Санэ ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр зиIэ бзылъхугъэ цIыкIущ. Ар Амман и университетым дизайнер IэщIагъэм щыхурагъаджэ и факультетым щIэсщ, етIуанэ курсщ. Ди хъыджэбз цIыкIу! Дынохъуэхъу сыт и лъэныкъуэкIи ехъулIэныгъэ уиIэну, гукъеуэншэу упсэуну, уи анэ Данэрэ уэрэ фыздэузыншэну! Дунейм фIыгъуэу тетыр къоуалIэми тфIэмэщIэнущи, насыпыфIэ дыдэ Тхьэм уищI. Еджэныгъэм ущыпашэрэ узыхэтми уакъыхэщу, гуныкъуэгъуэр уи мащIэрэ гъащIэм гухэхъуэгъуэ къуиту, гукъыдэжыр уи бэрэ дэрэжэгъуэр уи бащэу, жыхуэпIэм уи Iэр техуэрэ абы къыпэкIуэ гурыфIыгъуэм уигъэину упсэуну ди гуапэщ. Дадэ Мухьэмэд, нанэ Розэ. Унэгуащэхэм папщIэ IэфIу, теплъэ дахи иIэу Куэдрэ щылъу зэкIуэкIыу щIэзыдза щIакхъуэм и мэр ар щахъумэ щIакхъуалъэм къыщищтэ щыIэщ. Абы щыгъуэ щIакхъуалъэр серчэкIэ ятхьэщIри, мэр мэкIуэд. * * * Лэпсым шыпс къыхэфщIыкIын фи гугъэмэ, лыр вэным зы сыхьэт ныкъуэ къэнэжауэщ абы шыгъу щыхэвдзэнур. * * * Тэмэму укIэлъымыплъурэ лэпсым къытрищIэ тхъурымбэр шыуан лъабжьэм етIысэхамэ, абы псы щIыIэ тIэкIу хэпкIэмэ, ар и щхьэм къыдокIуеижри, тыншу къытыбохыж. * * * Котлетым хэфлъхьэн джэдыкIэ фимыIэмэ, фымыгужьей. ДжэдыкIэм и пIэкIэ лы хьэжа грамм 250-м хуэзэу кIэртIоф хьэжыгъэ бжэмышхышхуэ ныкъуэ хэфлъхьи, котлетыр зыкIэрыщэщынукъым, IэфIи хъунущ, теплъэ дахи иIэнущ. * * * Кофе къызэрагъавэ хьэкъущыкъум и кIуэцIыр кхъуэщыныфэ-фIыцIафэ ещI, ар кIэрегъэкIыж псым лимон бзыгъэ хэлъу къэбгъэкъуалъэмэ. * * * Шхыныр щагъэхьэзырым кIэрисхьамэ, кIэструл кIуэцIым и лъабжьэр гъэкъэбзэжыгъуей щыхъу щыIэщ. Абы щыгъуэм кIэструлым шыгъушыпс иту жэщым щагъэт, пщэдджыжьым мафIэ щIащIэ, шыгъушыпсыр къагъэкъуалъэри, ар къабзэ мэхъуж. Шхыныгъуэхэр Былым тхьэмщIыгъу гъэбэкхъа ФIыуэ тхьэщIа тхьэмщIыгъур Iыхьэурэ яупщIатэ, гъумагъыр см 3-4, кIыхьагъыр см 10 хъууэ, абыхэм сэкIэ гъуанэ цIыкIу хуащI, ямыугъуэныпэу. Шыгъу щахуэ. ИтIанэ а гъуанэ цIыкIухэм бжьыныху хьэдзэ упщIэта, шыбжий сыр упщIэта иралъхьэ, гуэдз хьэжыгъэм фIыуэ хакухьри, тебэм ит тхъу къэплъам халъхьэ. Iыхьэхэр лъэныкъуитIымкIи тхъуэплъ дахэ хъуху ягъажьэ. Шатэпс щIакIэ, тебащхьэр трапIэжри, мафIэ щабэм тету хьэзыр хъуху ягъэбэкхъ. Iэнэм пщтыру, тебэм къина шатэпсри текIауэ тепщэчкIэ трагъэувэ. И щхьэм бжьын упщIэта тракIутэ. Дашх пIастэ, мырамысэ хуабэ, чыржын, щIакхъуэ. Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): тхьэмщIыгъуу — г 600, бжьыныху укъэбзауэ — г 20, шыбжий сыр мыхьэжауэ — г 5, тхъууэ — г 80, бжьыныщхьэ упщIэтауэ — г 60, шатэпсу — г 250-рэ, шыгъуу, гуэдз хьэжыгъэу — узыхуейм хуэдиз. Зэпкърымыхауэ гъэжьа джэд Джэд гъэкъэбзар псы щIыIэкIэ ятхьэщI, хъыдан къабзэкIэ ялъэщIыж, ягъэгъущ. Абы и кIуэцIыр яшыу, шыгъу, шыбжий сыр, бжьыныху уба щахуэурэ. Джэд щIыбым шыгъу фIэкIа щахуэркъым. ИтIанэ тебэм дагъэ иракIэри, къагъэплъ пщтырагъыр градус 200-м нэсыху, абы джэд шыуар халъхьэ и щIыбыр егъэзыхауэ. ЗэрагъэдзэкIыурэ тхъуэплъ дахэ хъуху дакъикъи 5-7-кIэ ягъажьэ. ИужькIэ джэдыр зэрилъу тебэр хьэкулъэм ирагъэувэри, дакъикъэ 25-рэ хуэдизкIэ ягъажьэ, зэзэмызэ зэрагъэдзэкIыурэ. Джэдылыр мыпшэрмэ, щагъажьэкIэ джэд щIыбым шатэ щахуэ, тхъуэплъ дахэ ищIын щхьэкIэ. Джэд жьар хьэкулъэм кърахыжри, хуеймэ зэрыпсоуэ е Iыхьэ-Iыхьэурэ упщIэтауэ Iэнэм тралъхьэ. Тебэм къина дагъэри езы джэдым къыщIэжа псыри тракIэж. Къазри бабыщри апхуэдэ дыдэу ягъажьэ хъунущ. ПIастэ, щIакхъуэ и гъусэу пщтыру яшх. Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ): джэд гъэкъэбзауэ — г 1100-рэ, сэхуран дагъэу — г 100, бжьыныху укъэбзауэ — г 30, джэдым щахуэ шатэу — г 50, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз. Къубатий Борис. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 3. Уэс … е хьэлыуэ … 5. ЦIыху къарууфIэ. Е щыхь ин лъэпкъ. 7. Сабий цIынэ быдзафэ. 8. Пшынауэ цIэрыIуэ, гъэсакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист. 10. Сабий гъыринэр абыкIэ ягъэудэIу. 12. Мэлыц щабэ. Е … бостей. 14. УэрэджыIакIуэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист … ЛутIэ. 17. Зеиншэ. 18. Пхъэщхьэмыщхьэ. 19. Мывэ блыну дэкIуей бгы задэ. 22. Кърым щIыналъэм и къалащхьэ. 25. Гуэгушыхъум, къазыхъум я бгъэм тет пшэрыпIэ. 26. ХъуаскIэ къызыхебгъэх хъуну мывэ. 28. Пасэрей зауэлIым и пыIэ. 29. Адыгэ къэкIыгъэхэм я цIэхэр зэхуэзыхьэсыжу тхылъу къыдэзыгъэкIыжа, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ щIэныгъэлI … Барэсбий. 31. … лъакъуэ щIэткъым. 32. Къэбэрдей адыгэм щыщу «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зрата зауэлI закъуэ … Менлы. 34. Псыщхьэ тещтыкIа. 35. ГушыIэр … и щIасэщ. 39. Пасэрей фоч. 40. … хиса жыгыр мэгъу. Къехыу: 1. … и къуэ дзыгъуащэщ. 2. Адыгэм къахэкIа уэрэджыIакIуэ нэхъ Iэзэ дыдэхэм ящыщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист. Къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 90 ирикъуащ. 4. ЦIыхубз щыгъын. 6. Узыдэмыхьэ къуэладжэ … дэзщ. 7. Нарт Псэбыдэ и щхьэгъусэр. Е КъардэнгъущI Зрамыкуи, нэгъуэщIхэми ягъэзащIэ уэрэдыжь. 8. Хьэпшып гуэр гъуру, пхъашэу. 9. Зи пкъыр лантIэ, тхьэмпэ псыгъуэ кIыхь зыпыт жыг. 11. ТхьэмыщкIэ дыдэ, нэгъуэщIхэм къыхуашиймкIэ псэу цIыху. 13. Улахуэ, лэжьапщIэ … Е пэж, шэч зыхэмылъыж. 15. Литературэ тхыгъэ. 16. Ищхьэ лигэм щыджэгу футбол командэ цIэрыIуэ. 20. Пхъэ уадэшхуэ. 21. Уи щхьэ мыузым … къомышэкI. 23. Зи щIыхуэ … уриIуэхутхьэбзащIэщ. 24. И кIэр … дихуэжащ. («унэхъуащ» жыхуиIэщ). 26. Щхьэгъусэ къэзыша щIалэм и благъэ. 27. Iэщ къуейщIей цIыкIу. 30. … фIэдахэр псэм фIэIэфIщ. 31. Ику иту тонн зыплIытху къэзышэч, щIыпIэ хуабэхэм щыIэ псэущхьэ. 33. КъурIэным и зы пычыгъуэ. 36. … пыIэ. 37. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 38. Муслъымэн диным зэрыжиIэмкIэ, зи щIалэгъуэр зэи имыкIыу жэнэтым ис тхьэIухуд. Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Бадзэуэгъуэм и 17-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 3. Щапхъэ. 6. Хъуржын. 8. Сэлэт. 9. Iуащхьэ. 11. КъуэщIий. 13. Чын. 15. Сэ. 16. Хъун. 19. Хъер. 22. Щыхь. 23. Губгъуэ. 24. Хьэлъэ. 27. Армэ. 28. Абазэ. 29. Хупхъэ. 32. Гъуррэ. 33. ПщылI. 34. Хъуэхъу. 36. Ужьэ. 37. Фо. 38. Кхъужь. 39. КIэху. 41. Шэрий. 43. Дурыс. 46. Курыбэ. 47. Дыжьын. 48. Инжыдж. Къехыу: 1. Пхъэхь. 2. Аркъэ. 3. ЩэIу. 4. Тэрч. 5. Пэгун. 7. Ней. 10. Сабэ. 12. ЩIопщ. 14. Пхъэлъантхъуэ. 15. Сабэ. 17. Налъэ. 18. Тхьэгъэпсэу. 20. Дэрбзэр. 21.Тхьэзэплъ. 25. Аму. 26. Гъупщ. 30. Арэф. 31. Дыгъужь. 35. Хъудыр. 36. Унэр. 39. КIарц. 40. Хуабэ. 41. Шыд. 42. Иныжь. 44. Уанэ. 45. Сыдж.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100102.txt" }
IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэ Нарт тхыдэжь Нарт Ермыдэ иныжьхэр зэриукIар Нартхэм ящыщу зы щIалэ гуэр щыIэт ЕрмыдэкIэ еджэу. Абы хуабжьу фIэфIт щэкIуэн. Зы махуэ гуэрым щакIуэу мэзым щIэту зы мэз бжэн гуэр къыхэжащ. Бжэным еуэри хутегъэхуакъым, етIуанэуи еуэри техуакъым. Щымыхъум, зэгуэпауэ Ермыдэм мэз бжэныр ирихужьащ. Ар Iэджэри зэрихуаи! Сытми бжэныр къыхуэмыубыду икIи къыхуэмыукIыу зэрихуэурэ, зэрихуэурэ зы жылэ гуэрым дэлъэдащ. Ермыдэр а жылэм дэлъадэри бжэныр игъуэтыжакъым, фIэкIуэдащ. Зыдыхьа жылэм зыкъомым я хьэдагъэщ, зыкъомым я гуфIэгъуэщ, Ар апхуэдэу щIыщытыр зэригъэщIэну, зэупщIын имыгъуэта щIыкIэ, бжэныр зы щIыпIэкIэ кIуэцIрыжу илъэгъуащ. Ирихужьэжри зы унэ гуэрым бжэныр щIэлъэдащ. Ермыдэ псынщIэу шым зыригъэлъэтэхри, унэм кIэлъыщIэлъэдащ. ЗыщIэлъэда унэм бжэныр щилъагъуркъым, абы и пIэкIэ илъагъур зы лIышхуэ гуэр уIэгъэу щэIуу пIэм хэлъу аращ. Сымаджэм сэлам ирихри Iихащ. «ТIыс!» — къыщыжриIэм, Ермыдэ тIысын имыдэу жиIащ: — Сэ хьэщIакIуи, щIэупщIакIуи сыкъэкIуакъым. СыкъыщIэкIуар си бжэн мы унэм къыщIэлъэдауэ аращ. Дэнэ здэкIуар си бжэн мыбы къыщIэлъэдар? Къэгъуэт иджыпсту, узмыукI щIыкIэ! — Бжэнри бгъуэтыжынщ, моуэ етIысэх зэ, — къыжриIащ сымаджэм. Абы хэту зы хъыджэбз дахэ дыдэ къыщIыхьащ унэм. Абы сэлам кърихщ Ермыдэми къыжриIащ: — Унэм къыщIэпхуа бжэныр сэращ. Сэ сынакIуэри укъэсшащ, Ермыдэ, гузэвэгъуэ сиIэти укъыздэIэпыкъуну сыпщыгугъыу. Уэ у-Ермыдэщ, уи хъыбар зэрызэхэсхымкIэ, улей щIэмыгъакIуэщи, дэ лейуэ къытлъысар бжесIэмэ, си гугъэщ укъыздэIэпыкъуну. Аращи, мы хэлъыр уIэгъэщ, си анэ къилъхуауэ си дэлъхущ. Мыр ебланэрщ. Дэлъхуибл сиIэти, иныжьхэм Iуэху сыкъащIри, хыр срамыгъэхьурэ къаукIащ. Къэнэжар мы зы закъуэр арати, мыри къауIауэ мис хэлъщ, уолъагъупэ. Абы адэкIэ, мы жылэм я цIыху дэкI мыхъуу, дэкIамэ яукIыу, е яхьу щытщ. Жылэм дэкIар къыдыхьэжым, зейр мэгуфIэ, къыдэмыхьэжым, зейр магъ. Аращ зыкъомыр гуфIэу, зыкъомыр пыхьэу щIыщытыр. Иджы мы бэлыхь къомыр жылэм тщхьэщызыхыфын, дилъ зыщIэжыфын щыIэкъым, уэ зыр мыхъумэ. Уэ къытхуумыщIэIамэ, жылэ кIуэдыр къытхуокIуэ. ЦIыху хуэдэ цIыхуи жылэм къыдэнакъым. ЯIащIэкIуэдащ а иныжь гъуамэхэм. — Иныжьхэр дапщэ хъурэ? Дэнэ зыщыпсэухэр? — жери Ермыдэр еупщIащ хъыджэбзым. — Иныжьхэр зэрыхъур щыщ. Зыщыпсэуэр мо мэзым адэкIэ щыIэ бгыхурщ. Абы ущIэкIуэни щыIэкъым. Езыхэр сэ къызощэри мыдэ мэз лъапэм жэщми-махуэми щыIэ зэпытщ. Ермыдэ Iуэхур зэрыщы-тыр къанэ щымыIэу къыщищIэм, и шыр зэщIикъузэри дэшэсыкIащ. Ауэрэ мэз лъапэр щIищыкIыурэ къыздикIухьым, зы иныжьым щрихьэлIащ абдеж, дэп мафIэшхуэм къешэкIауэ жей-уэ щылъу. Ермыдэ куэдрэ гупсысакъым, дахэ цIыкIум хуэдэу, и сэшхуэр кърихри зишэщIщ аби, еуэри иныжьым и щхьэр пиупщIащ. Щхьэр пымытыжу къыщылъэтауэ къыздижыхьым, мо дэп Iуащхьэшхуэ щылъым хэджалэри, и щхьэр къанэри и пкъыр абы хисхьащ. — Ар зы, — жиIэщ, Ермыдэ и шым шэсыжри еуэри ежьэжащ. ЗдэкIуэм плъэри, мафIэ нэху гуэрыр илъэгъуащ. А мафIэм хуэкIуэу кIуэри ар, япэрейм хуэдэ къабзэу, иныжь етIуанэр арати, щылъщ. Ари япэрейр зэриукIам хуэдэ къабзэу иукIащ. — Ар тIу, — жиIэщ, и шым шэсыжри, Ермыдэр ежьэжащ. НэгъуэщI зыхуэзэ щымыIэу нэху щащ. ИтIанэ мурад ищIащ иныжьхэм я псэупIэу хъыджэбзым къыжриIам кIуэну. Ежьэри, кIуэм-кIуэурэ, хъыджэбзым зи гугъу ищIа бгыхум нэсри, псэупIэ гуэрхэр къилъэгъуащ. Абы хуэкIуэ лъагъуэм тету кIуэурэ, нэсмэ — лъагэу къэщIыхьауэ, дыхьэпIи дэкIыпIи имыIэу пщIантIэм унэ лъагэ бэлыхь дэту хуэзащ. Дэмыхьэфу куэдрэ елIэлIа нэужь, сытми ерагъкIэ щхьэпрыпщри, пщIантIэм дыхьэщ абыи, унэм щIыхьащ. ЗыщIыхьа унэм уазэреплъыныр умыщIэу цIыхубзитI щIэсти, къыщылъэтри зыкърадзащ. Ар зищIысыр имыщIэу Ермыдэр тIэкIурэ Iэнкунащ, ищIэныр имыщIэу. ИтIанэ цIыхубзитIыр икIуэтыжри, къеупщIащ: — Уэ у-Ермыдэу пIэрэ? — жаIэри. — Сэ сы-Ермыдэщ, ауэ фэ фысыт лъэпкъ, щхьэ си цIэри фщIэрэ фэ? — Дэ дыцIыху цIыкIущ, мыбы дыкъахьащ иныжьхэм. Иныжьхэр зэшищ мэхъу. Дэ тIум дырафыз зырызщ, зым цIыхубз иIэкъым. А цIыхубз зимыIэм къыхуагъуэтыху къемыкIуэлIэнхэу унафэ зэхуащIыжати, ар имыдэу зы къахэкIри, ар адрей тIум яукIыжащ. Иджы къэна тIури тхьэмахуибл мэхъури здэщыIэр тщIэркъым. Абыхэм зыгуэр къащыщIауэ къыщIэкIым, дыдэмыкIыфу мы пщIантIэм дыдэлIыхьынущ жыдоIэри догузавэ. Уи цIэр абыхэм жаIэурэ зэхэтхащ, Ермыдэ мыхъу мыбы къэкIуэфын, дэ къытпэлъэщын щыIэкъым, — жаIэуи укъызэрыкIуэфам щхьэкIэ уэ умы-Ермыдэми у-Ермыдэ тфIэщIауэ аращ. — АтIэ, Ермыдэр сэращ. ИныжьитIыр сэ сыукIащ, ещанэм сылъыхъуэурэ мыбы сыкъэсащ. Мы щIыпIэм сэ фисшыжынщ. Къафщтэ мыбыхэм хъарзынэу яIэхэм щыщу фызыхуейр. А иныжьхэм Iэджэ хъарзыни яIэу къыщIэкIынти, къахуэщтэр къащтащ. Къежьэжри, къыщысыж я пIалъэу къэкIуэжахэщ. ХъыджэбзитIыр зейм я деж кIуэжащ. Ермыдэ япэм зыхуэза хъыджэбзыр щхьэгъусэ ищIащ. КъэкIуэжри, зыщалъхуа жылэми тхъэжу псэууэ тIысыжащ. Таурыхъ Акъылымрэ къарумрэ Еуэри, жеIэ, Тхьэм псэущхьэу щыIэр къигъэщIри, насыпыр яхуигуэшу хуежьащ: бдзэжьейм псыр иритащ, къуалэмрэ бзумрэ хьэуамкIэ яхуэупсащ, хьэпщхупщхэм щIы щIагъыр яхуигъэфэщащ, хьэкIэкхъуэкIэм мэ- зыр яхухихри, итIанэ мыр яжриIащ: — Иджы, си псэм хуэдэхэ, насыпым я нэхъыщхьэу тIy къэнащ, — жи, — къарумрэ акъылымрэ. Ахэр фэ къыфхузогъанэри, вгуэшыж! — жиIэщ, акъылымрэ къарумрэ зы хъуржыным илъу къахуидзри езыр уафэм дэкIуеижащ. Аслъэным хъуржыныр итIатэри, илъыр къригъэлъэлъащ. Зэпиплъыхьщ — къызэпиплъыхьри, къарур игу ирихьати, езым къызыхуигъэнащ. Акъылри къызэпиплъыхьщ — нызэпиплъыхьри игъэпIиящ: — Мыр хэт еттыну? — жиIэри. — Нэхъ тхьэмыщкIэм ет! — жаIэ. Аслъэным зиплъыхьри, ЦIыхум нэхъ тхьэмыщкIэ илъэгъуакъым: хэт мэлъатэ, хэт йос, хэт жэрщ, хэт шэрэз иIэщ, хэт щIы щIагъым щIэсщ; ЦIыхум зыри иIэтэкъыми, акъылыр абы хуидзащ: — Мэ, тхьэмыщкIэ, нэгъуэщI мыхъуми, зрипхъумэжынщ! — жиIэри. — Ущымыуэ, Аслъэн, ЦIыхум акъылыр лъысмэ, дыпэлъэщыжынкъым: езыр тшхыным и пIэкIэ дэ дишхынщ, — жаIэ псэущхьэхэм. — Фымыгузавэ, — жи, — фи жагъуэ къищIу хуежьэмэ, мыдэ си деж фыкъакIуэ: къарум къыпэлъэщын сыт щыIэ, ар сэ къысхуэнащ. Арати, псэущхьэхэр зэбгрокIыж. Ауэрэ макIуэ. Махуэ гуэрым ТхьэкIумэкIыхьыр къокIуэ Аслъэным деж: — Дипщ, — жи, — акъылыр зылъыбгъэсам дигъэпсэужыркъым, къапхъэнкIэ дыкъеубыдри, дешх: къытщхьэщыж! — Iay, нтIэ абыи зыгуэр ишхын хуейкъэ! — жи Аслъэным, езыми лы зэрыфIэфIыр ищIэжырти. ИтIанэ Бажэр къокIуэ: — Дипщ, — жи, — лей къыттохьэ: цIыхум дыкъеубыдри, ди фэр трехри, джэдыгу ещI. — Умыгузавэ, сэ сыхурикъунщ абы, — жеIэри ари IуегъэкIыж. КIэщIу абы къыкIэлъокIуэ Дыгъужьыр: — Зиусхьэн, — жи, — дыгъуэгыурэ ЦIыхум акъылыр ептащи, дыпэлъэщыжыркъым: Iэщыр зыIэщIиубыдащи, дигъэшхыжыркъым. — Сэ абы хуэфI сыхъунщ! — жеIэри Аслъэныр къожьэ. КъакIуэм-къакIуэурэ, ЦIыхум джыдэ ищIарэ пхъэ пиупщIу кърохьэлIэ. Сэ абы езгъэлъагъунщ къару жыхуаIэр жери, къыбгъэдохьэ: — СлIо, хьэмэ къилъхуа, хьэкIэкхъуэкIэр щIызэтебукIэр? — жи. — Иджыпсту узэпкърыстхъынщи узэIурыслъэфынщ! ЦIыхум ауан къещI Аслъэныр: — Сыту у-Аслъэн делэ, — жи, — уэ! — Сыт делэ жыхуэпIэр? Сэ усшхыну сыкъэкIуащ, къыбгурыIуа? — КъызгурыIуащ, — жи ЦIыхум, — ауэ уэ дауэ узэрыпсэунур итIанэ? Уэ бийуэ уиIэр зихуэдизыр пщIэжрэ? Бжьэр мыщэм ежэмэ, иращIэр плъэгъуа? Уэ уи бий къомыр къожэмэ, дауэ зыпхъумэжыну? Аслъэныр Iэнкун хъури пхэщIкIэ тIысащ: — Дауэ? — жиIэри. — Зи дауэращ, — жи ЦIыхум, — уи бийхэм укърахужьэ хъужыкъуэмэ, ахэр зыпэмылъэщын гъэпщкIупIэ пхуэсщIу аращ сэ. Уэ сэ сыпшхыну жоIэ, cэ сыпшхмэ, хэт уэ быдапIэ пхуэзыщIыфынур? Аслъэныр игъэгупсысащ ЦIыхум къыжриIам. — Упсэу! — жиIэри къехъуэхъуащ, дахэ къыжриIэжащ. — ЩIы, нэхъ быдэIуэу щIы уэ! — жери. ЦIыхуp еувалIэри, бжэ хэлъу гуэн быдэ ищIащ. — Дауэ къыпщыхъурэ уи быдапIэр, Аслъэн? — жи. — Мыбы уипщхьэжмэ, зыгуэр къыппэлъэщын? — Уэлэхьэ, къыспэлъэщын хуэмей! — жи мыдрейми. — Къихьи, еплъыт тыншрэ мытыншрэ! Аслъэныр гуэным ипщхьащ. — Еууей! — жери ЦIыхум гузавэ хуэдэ зещI. — ЦIыкIуIуэ хъуащ, уи кIэр къощ. Аслъэным и кIэр зыкIэщIеупщIэ, ЦIыхум гуэныбжэр егъэбыдэж. — Дауэ къыпщыхъурэ уи быдапIэр? — мэдыхьэшх ЦIыхуp. Аслъэныр адэкIэ йоуэ, мыдэкIэ йоуэри пэлъэщыркъым. — Уэлэхьэ, быдэу пщIам! — жи. — НтIэ, сщIамэ, ис, уилIыхьыху! — жи ЦIыхум. — Уи гугъати къарум нэхъ лъэщ щымыIэу! СлIо иджы уи къарум и щхьэпэжыр? КъыгурыIуащ Аслъэным акъылыр къызэрытекIуар. Гъуахъуэу щIидзащ: — Уэуэуэхь, ЦIыхум ceукI! — жиIэу. — Сыкъевгъэл, фыкъыздэIэпыкъу! АрщхьэкIэ Аслъэным тeкIyaм хэт пэувыжынт — псори зэбгрыжащ. Хъуэжэ и гушыIэхэр Алыхьым мащIэ къуитми зэгъэзэгъ Хъуэжэ тхьэмыщкIэти, Алыхьым елъэIуащ, жи: — Дунейр зэлъэIуу зым емылъэIуж, уэ сытри пхузэфIокI, зы тумэнипщI къудей къызэт! — жиIэри. — Уэ уи дежкIэ ар зырикIщ, сэ си дежкIэ мылъкущ. Ауэ зы сом чэму къыпIысхынукъым. — Ар Хъуэжэ и гъунэгъу беижьым зэхихри щIэдыхьэшхыкIащ, сеплъынкъэ сом чэму къеIыпхрэ къыIуумыхрэ, жиIэщ абыи, тумэнибгъу зэкIуэцIишыхьри, уэнжакъымкIэ къридзащ. Ахъшэ зэкIуэцIылъыр, «бырф» жиIэу, жьэгум къыщыдэхуэм, Хъуэжэ къипхъуатэри ибжащ: зы тумэн чэмт. — Мыпхуэдизу ущыжумартым, тумэныжь закъуэм щхьэ ущысхьыжа? — жиIэри, ахъшэр Хъуэжэ и жып ирилъхьащ. — Сыпхуэарэзыщ, ди Тхьэ, уэлэхьи, сом фIэкIа къыумыдзыхами, зытезмыгъэгусыхьынт! Абы хэту беижьыр къожэкI: — Си ахъшэр къызэтыж! — жеIэри. — Сыт ахъшэ? — НетIэ уи жьэгум къыдэздза тумэнибгъур! Ар узгъэунэхуну арат къыщIыдэздзар. — Уэлэхьэ, си гъунэгъужь, уэ ахъшэм уриджэгуу уимыхабзэ, сэ Алыхьым къысхуридзыха ахъшэр уэ абыкIэ сIэщIумыгъэкIын! — жиIэри иритыжакъым. Хэт и IэкIэ къуитами, Тхьэм къуитам арэзы техъуэ икIи зыIэщIумыгъэкI: гуэныхьщ. Дыгъур зыкIи мыкъуаншэу пIэрэ? Хъуэжэ ерагъкIэ зригъэпэщауэ витI иIэти, витIыр ядыгъуауэ нэху къекIащ. Бынунэр зэхэгъуагэу Iуэм деж щытщ, гъунэгъухэр къызэхуэсауэ мэшхыдэри уафэм сабэр драпхъей. Къэхъуар щыжраIэм, Хъуэжэ къэтэджщ, зитхьэщIщ, шхэри итIанэщ къыщыщIэкIар. «Тхьэм къыщIимыгъанэкIэ!» — жаIэу къыхуэгузэвэным и пIэкIэ, гъунэгъухэр Хъуэжэ къешхыдэу щIадзэ: — Сыт хьэдэгъуэдахэ, узэрыпсэуну уи витIыр ядыгъуарэ пэт ушхэу щхьэ ущыса? — жаIэ, зыкъыхуагъэгусэ. — Уэ нэхърэ дэ дынэхъ гузэвапхъэ!.. Ирагъэлей щыхъум, Хъуэжэ зыкъетIатэри: — Уа, фыхьэлэмэтщ фэ: сымышхэу сыкъыщIэжамэ, витIыр къыкъуэкIыжыну пIэрэт? — жеIэ. — А зи унагъуэрэ, дэ къомыр дымышхэу дыкъыщыжакIэ, уэ дауэ ушхэу узэрыщысынур? — Уэращ къэхъуар зи лажьэр: жэщкIэ укъыщIэкIыурэ щхьэ уакIэлъымыплъарэ? — Пхуэфащэщ, къыщыпфIэмыIуэхукIэ! Хъуэжэ зегъэкIэрахъуэ-зыкъегъэкIэрэхъуэж, зэ зым дежкIэ зегъазэ, зэ адрейм дежкIэ маплъэ, жиIэнур ищIэркъым. Модрейхэр увыIэркъым, мэхъущIэ: — Арэфым хуэдэу укъуаншэщ! — Бынунэр тхьэмыщкIэ пщIащ!.. Псоми жаIэнур жрегъэIэ абыи, итIанэ Хъуэжэ подыхьэшхыкI, хуэмышэчыжыххэу къыщеудри: — Ярэби, — жи, — дыгъур зыкIи мыкъуаншэу пIэрэ? Гъунэгъухэр, хэти зигъэгусауэ, хэти укIытауэ, зэбгрокIыж, шэсу лъэужь зы- хуни къахэмыкIыу. Кхъуэл сшхынщи, хьэблэм фи напэр тесхынщ… Зы хьэблэ гуэрым зы Хъуэжэ дэст, лIы дахэшхуэу. А Хъуэжэр фызабэ гуэрым кIэлъыкIуэу къахутэри, уэрэдрэ Iуданэу хахьэжащ. Ар и фызым деж щынэсыжым, зигъэгусэри икIыжащ. ЩикIыжым, мо Хъуэжэ хуэдэр гузавэри, хьэблэ нэхъыжьхэр зэхуишэсащ, мэл яхуиукIри. Нэхъыжьхэм япэщIыкIэ мэлыр яшхри, итIанэ бысымым къеупщIащ: — Сыт щхьэкIэ дыкъебджат? — жаIэри. — Си щхьэгъусэ щIэпхъуэжам фысхуеущиеу къевгъэгъэзэжыну арат сызэрывэлъэIунур? — Iэу, сыт напэр диIэу деущиен, уэ къэпкIухьу уежьэжри хьэблэр дыбгъэукIытауэ! Уэлэхьэ, мыхъун, — жаIэри ядакъым лIыжьхэм. — Унагъуэкъутэ сывмыщI, Тхьэм и хьэтыркIэ фысхуелъэIу! — жиIэ щхьэкIэ къыхуадакъым. Къыщыхуамыдэм, сыткIи къыщыхутемыгъэхьэм: — Е къысхуэфшэжынщ, е кхъуэл сшхынщи, хьэблэм фи напэр тесхынщ! — жиIэри япиубыдащ, жи. Джэгу усэ-къебжэкI Бабыгухэ я нысашэ уэрэд Ди нанэжьыр БабыкIуни (вар.: Ди нанэжьыр БабыкIунэмэ япхъуи), рэ-тIэ, БабыкIунэхэр зэлъэзэрыщи, рэ-тIэ, ЕщыкIунэгъуищэр ящIыгъуи, рэ-тIэ, Зэщэзэбищэхэри къоджэри, рэ-тIэ, Къаджэхэр шу тэрэмэтэси, Къутас дахэхэм йощэри, рэ-тIэ, Щагъындакъ минхэри къагъауэ, Уагъэ минищэхэр зэпалъхьэ, Зыщымысхьыжыхэуи падыкIри, КIэш и къуэхэри къыхахи, рэ-тIэ, Банокъуэ жылэхэми щопсыхи, рэ-тIэ, Емыпсыхыжхэр шууаджи, рэ-тIэ, Шэджэрей пщащэхэр Iэнэгъэуджи, рэ-тIэ, Нэгъуей шукIэсхэр ди щхьэгъэрыти, рэ-тIэ, БабыкIунэ нанэхэр мэхъуахъуи, рэ-тIэ, КIэш я щIалэгъуалэхэр хъуэрыбзи, рэ-тIэ, БеслъэнеибзэкIэ зэпалъхьи, рэ-тIэ, Ди нанэжьыр БабыкIуни, рэ-тIэ, БабыкIунэ-нанэри къыхаши, рэ-тIэ, Зэшэсэкъуэ гуимэм къыраши, рэ-тIэ, Къулыуцынэ лъэгухэр хуаубгъуи, рэ-тIэ, БабыкIунэ пхъужьхэр и бгъуитIи, рэ-тIэ, Iэщхьэтхьэмпэ тIурэр хуэтIатIэщ, рэ-тIэ, ТIатIэ-дахэм и тхыпхъэри БабыкIунэ дадэхэм я плъапIи, рэ-тIэ, Уэ и напIэхэр егъэджэгу, рэ-тIэ, Уэ и Iэгухэр зэрехьэ, рэ-тIэ, Уэ и лъэхэр зэблех, рэ-тIэ, Уэ хьэлыуэ Iэнэр хузэблах, рэ-тIэ, Уэ дэлъху уасэхэр къырах, рэ-тIэ, Уэ зыщымысхьыжыхэуи ящэхуж, рэ-тIэ! КIэш и къуэхэр бжьыхьэ къырыби, рэ-тIэ, Къырыбэ папцIэхэр я тажи, рэ-тIэ, ЛъэпэцIыуэ екIухэри къыщащI, рэ-тIэ, ЛъэпэцIывэ псынщIэхэри къыхатIэ, рэ-тIэ, ТIатIэ-дахэхэри къадощIэ, рэ-тIэ, Уэ зыми емыщхьэхэуи йокIуэкI, рэ-тIэ, Уэ щIэкIэрэхъукIищэхэри къахуещI, рэ-тIэ! БабыкIунэ-нанэхэри мэгуфIэ, рэ-тIэ, ГуфIапщIэ дахэхэри къыщет, рэ-тIэ, Iэнитолэ тобэхэри гукъашэщ, рэ-тIэ, СэрэхьэлыгъухэмкIи мэгуашэ, рэ-тIэ, Шэджэрей щIалэхэр мэубзэ, рэ-тIэ, Бзухъанхэри къегъажэ, рэ-тIэ! Къэбэрдей хьэжрэтхэри къожэс, рэ-тIэ, Сэрымищэ тойкIэ къахохьэ, рэ-тIэ, Тхьэджэд IэнищэкIэ къоблагъэ, рэ-тIэ, Жыжьэу къоудж, рэ-тIэ, Благъэу мэуджэраджэ, рэ-тIэ, БабыкIунэ-нанэри уэ къопцIэ, рэ-тIэ, ПцIы хьэлыуэ IэфIхэри къыщешх, рэ-тIэ, ПхъэцIычауэр басхэгъмэ, рэ-тIэ, Нанэр сэхэгъ къощIэ, рэ-тIэ, Пхъэпшынэр къэбэрдеймэ, рэ-тIэ, Нанэр ислъэмей къытохьэ, рэ-тIэ, Къэбэрдей хьэжрэтым ящэхужари, рэ-тIэ, БабыкIунэмэ я нанэщ, рэ-тIэ, Уэ зэрэ-Бабыгуейуэ мэтэдж, рэ-тIэ, ШущIэтаджэ минхэри къыхуащI, рэ-тIэ! КIэшхэ япхъу Бабыгухэ (БабыкIунэхэ) къыщашэм яуса уэрэдщ. Джэгур зэрекIуэкIар къэзыIуатэ къебжэкIщ. И щхьэм хуэзыусыжауэ щытар Бабыгу КIунэщ. Гуащэжьым жиIэжу и бынхэм ягу ираубыдэри, апхуэдэ щIыкIэкIэ ди нобэм къэса хъуащ. Езы уэрэдыр къэзыIуэтэжар си анэшхуэ Табыщ Мэчэхъан Лосэн Iэюб ипхъурщ. Макъ дахэм щIэту куэдрэ жиIэу щытыгъащ. Гъэсэпэтхыдэхэр Дадэ гъэсэкIэ Тхьэмадэ гуэр щыIэти, и нысэм зыхуигъэгусэрейт. Ешхыдэ, ехъурджауэ сыту аратэкъым, зыгуэр игу иримыхьамэ, зигъэгусэу арат. Зэгуэрым нысащIэм зегъэдыхьэшхнэпцIри зызыгъэгуса тхьэмадэм йоупщI: — Дадэ дыщэ, — жи, — сабийм зигъэгусамэ, йощхьэфауэ, и пхэм хущIоуэ, хуолъ; дадэм зигъэгусэмэ, сыт иращIэр? ЛIыжьыр къоуIэбжь, щIоукIытыхьыжри, жэуап къримыту и хьэл мыхъумыщIэр хенэ. Нысэ губзыгъэми тхьэмадэр егъэсэф. Псалъэ шэрыуэм и хъыбар Еуэри, жеIэ, зы лIыфI гуэр псэути, и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. Зэрыхабзэу, пIалъэ дагъэкIри, фызабэ гуэр къагъуэтри, хьэгъуэлIыгъуэшхуэ иращIэкIыу къыхуашэжащ. Къыхуашэжа щхьэкIэ, жэщищ-махуищ фIэкIа имысу кIуэсэжащ. ЦIыхубзым и Iыхьлыхэм мо лIыфIыр благъэу яIэну яфIэфIти, щIэупщIамэ, фызыр къратыжыну хьэзырт, арщхьэкIэ лъэпкъыр абы щIэупщIэжакъым, ягу ирихьа къыщIэкIынтэкъыми. Мохэр щыщIэмыупщIэжым, жьэ бзаджэ зэщIихыу шыпхъу нэхъыжь иIэт фызабэми, къакIуамэ. Куэбжэм деж къэуври къэджащ. ЛIыфIым и анэр щIэкIри, «къеблагъэ» жриIащ. АрщхьэкIэ мор еблэгъэным и пIэкIэ, и IитIыр и шхужьым иригъэувэри, хъурджауэу щIидзащ. Анэм ар куэдрэ имыгъэпIэрапIэу и псалъэр Iэпиудащ: — Алыхь, тIасэ цIыкIуу сиIэ, а жэщищ-махуищым щхьэкIэ апхуэдиз хьэгъуэлIыгъуэ дывмыгъэщIу фыкъыдэлъэIуатэмэ, ди щIалэр щIыхьэхуу ныфхуэдгъэкIуэнтэм, — жиIэри. И жьэр джатэ пэтми, цIыхубзым къыпидзыжын имыгъуэту зыIуригъэхыжащ. Мис аращ псалъэ шэрыуэм удэмыджэ- гу щIыжаIэр: абы къаугъэм я нэхъ гуащIэ-ри, егъэункIыфIыф. УлIыжь хьэмэрэ ухъужь? Еуэри, жеIэ, Шапсыгъым къикIри зы лIыжь хэкIуэта Бжьэдыгъум къэкIуат. Япэ зыхуэза хьэщIэщым щIыхьэри, бысымыр къыщыгуфIыкIащ, къигъэтхъащ. Хабзэм тету жэщищ-махуищкIэ хьэщIагъэ къриха нэужь, уэршэру здэщысхэм, бысымыр къеупщIащ, жи: — Ярэби, си хьэщIэ, IуэхукIэ укъысхуэкIуа хьэмэрэ удунеяплъэу укъызихьэлIа? — жиIэри. ХьэщIэм убалъэ хуэдиз хъуну лулэшхуэ иIыгъти, ар щIигъанэри: — Iуэхуу сиIэращ, си бысым, жьы сыхъуати, сымылIэ щIыкIэ бжьэдыгъу лIыжьхэр слъагъужынщ, лIыгъэ хъыбари сыкъедэIуэнщ, жысIэри сыкъежьауэ аращ. Бысымыр и пащIэкIэ щIэгуфIыкIри: — Аууей, — жиIащ, жи, — Бжьэдыгъум лIыжь исыж уфIэщIрэ, хъужь защIэ мыгъуэщ къэнэжар! ЛIыжьыр жьы хъуами, лIыщ, хъужьыр хъу къудейуэ аращ. Дунейр къэбгъэщIэну Тхьэм Iэмыр щIищIыр плъэгъуамрэ зэхэпхамрэ Iущыгъэу хэлъыр уи ужь къиувэным лъэбгъэIэсыжын щхьэкIэщ. Армыхъумэ, шхэри, ефэри, къикIухьрэ, къекIуэлIэжа нэужь зызыгъэукIуриижыр, дапщэщи бгъуэтынущ. ЛIыжь ухъуми, хъужь зумыгъэхъу, ауэ сытми жаIакъым пасэрейхэм. ЦIыхум фэ зэрызэрагъэплъ зы Iэмал Кхъуащэ Дэгъазэ жыхуаIэм зы мэл закъуэ иIэти, жылэм я гуартэм хъудзу хигъэхьэри Къущхьэхъу яхуащ. Мыгувэу дыгъужьым пэщIэхуэри ишхащ. Дэгъазэ ар щыжраIэжым гуфIащ, жи: — Ялыхь, уи шыкурщ, зи мыхъуми Кхъуащэ Дэгъазэ мэл иIэти дыгъужьым ишхащ, жаIэнщи цIыхум фэ къызаплъынщ! Гуп зыхэтыр дыхьэшхри, псоми мэл зырыз къратщ абыи, хъушэу къихури къэкIуэжат, жаIэ. Уи мэл дыгъужьым щишхыжынуми, апхуэдэу ир
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100107.txt" }
КъБР-м и ТВ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 26 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) 6.35 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+) 6.50 УсакIуэ Мокаев Магомед и уэрэдхэм ятеухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «Хамэ хэку сыщытхъэ нэхърэ…». Сирием къикIыжахэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.50 «Зи IэщIагъэм хуэпэж». КъБР-м щыIэ МВД-м и подполковник Джэданэ Залым (12+) 16.55 «Дыгъэщыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 17.20 «Ди псалъэгъухэр». УсакIуэ Бицу Анатолэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъм ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.05 «Спорт утыку цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.50 «Хабзэр яхъумэу» (12+) 20.05 КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «Дуней телъыджэ». Лъэпкъ музейм къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.30 «ЗэчиифIэ». УФ-м и цIыхубэ артист Акбаев Азрэт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.00 КъБР-р илъэси 100 щри-къум ирихьэлIэу. «Зэныбжьэгъугъэм и концерт». «Кабардинка», «Балкария» къэфакIуэ гупхэм я концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Гъубж, бадзэуэгъуэм и 27 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.20 «ЗэчиифIэ». УФ-м и цIыхубэ артист Акбаев Азрэт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 6.50 КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «Дуней телъыджэ». Лъэпкъ музейм къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.15 «Усэхэр зэрыт дэфтэр» (12+) 7.25 «Хабзэр яхъумэу» (12+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «Спорт утыку цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.35 «Ди псалъэгъухэр». УсакIуэ Бицу Анатолэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъм ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.20 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 16.55 Мультфильм (0+) 17.05 «Нанэ и псэ». Адэ-анэхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 17.35 «Анэдэлъхубзэ». Телевикторинэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.05 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.50 «Адэжь лъапсэ». Къунашхэ я унагъуэр (12+) 20.20 «Гум имыхуж» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.05 «Жьэгу». Тебердиевхэ я унагъуэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 28 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.20 «Адэжь лъапсэ». Къунашхэ я унагъуэр (12+) 6.50 «Жьэгу». Тебердиевхэ я унагъуэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.25 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «Гум имыхуж» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.05 «ЦIыкIураш». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 16.45 «Жомакъ, жомакъ жолунга…» «Бажэмрэ тхьэкIумэкIыхьымрэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 17.00 «Телестудио. Адыгэбзэ». 120-нэ дерс (6+) 17.30 «Жаншэрхъ». Спорт нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.50 «Сабийхэм я дуней» (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.50 «КъэкIуэнум и дуней» 20.20 «Унагъуэ насып». Уэзрокъуэхэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.55 «ГъащIэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Махуэку, бадзэуэгъуэм и 29 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.20 «ГъащIэ (балъкъэрыбзэкIэ) 6.55 «Унагъуэ насып». Уэзрокъуэхэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «КъэкIуэнум и дуней» 8.50 «Жаншэрхъ». Спорт нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «Жомакъ, жомакъ жолунга…» «Бажэмрэ тхьэкIумэкIыхьымрэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 17.00 «СабийгъэгуфIэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 17.25 «Телестудио. Балъкъэрыбзэ». 120-нэ дерс (6+) 17.50 «Ууаз» (балъкъэрыбзэкIэ) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.45 «02» къулыкъущIапIэм хъыбар фегъащIэ» (16+) 19.55 «ЩIэплъыпIэ» (12+) 20.25 КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. IутIыж Борис и пьесэм къытращIыкIа «Гуащэмыдэхьэблэ» спектаклым и премьерэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.55 «Жай». Гъэмахуэм теухуа усэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.10 «Зэманым декIуу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Мэрем, бадзэуэгъуэм и 30 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Жай». Гъэмахуэм теухуа усэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 6.30 «ЩIэплъыпIэ» (12+) 7.00 КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. IутIыж Борис и пьесэм къытращIыкIа «Гуащэмыдэхьэблэ» спектаклым и премьерэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.30 «02» къулыкъущIапIэм хъыбар фегъащIэ» (16+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «Зэманым декIуу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 8.50 «Анэшхуэм и таурыхъхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 9.00 «СабийгъэгуфIэ». ЦIыкIухэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) 17.00 «Сабийгъуэм и дуней». Балъкъэр Ипщэ къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.30 «Къуажэдэсхэр». Кыщпэч къуажэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.05 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.50 КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «ЦIыху. ТхакIуэ. ЩIэныгъэлI». СтIол хъурей (12+) 20.30 КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. «ЦIыху гъащIэ». Бетрожь СулътIан. Хьэтуей къуажэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.00 «Узыншагъэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 31 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «ЦIыху. ТхакIуэ. ЩIэныгъэлI». СтIол хъурей (12+) 6.55 КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. «ЦIыху гъащIэ». Бетрожь СулътIан. Хьэтуей къуажэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.25 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «Узыншагъэ» (балъкъэрыбзэкIэ) 8.40 «Къуажэдэсхэр» (адыгэбзэкIэ) 9.15 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 17.00 «Билляча». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 17.20 «ЩIылъэмрэ уэгумрэ ятеухуауэ» (12+) 17.35 Адыгэ театрым и сезоныр зэхуещIыж. Репортаж. Япэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.00 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, Италием и лъэпкъ ядернэ институтым и унафэщI Дэбагъуэ СулътIан (12+) 19.30 «Си гукъэкIыжхэр». ЕгъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Джапу-Лу Л. (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.15 «Дызэгъусэу». Бэч Азэмэтрэ Беслъэней Ренатэрэ я концерт. Япэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.45 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) (16+) 21.05 «Ди хьэщIэхэр». ТхакIуэ Хубиев Ислъам (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 1 6.00 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) (16+) 6.15 «Си гукъэкIыжхэр». ЕгъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Джапу-Лу Л. (адыгэбзэкIэ) (12+) 6.50 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, Италием и лъэпкъ ядернэ институтым и унафэщI Дэбагъуэ СулътIан (12+) 7.20 «Ди хьэщIэхэр». ТхакIуэ Хубиев Ислъам (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.55 «ХъыбарыщIэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 8.10 «Билляча». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 8.30 «Дыщэ пхъуантэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) 16.00 «Псэуащ-щыIащ…» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 16.20 «Щытхъу зиIэ дохутыр» (12+) 17.45 «Щикъухьащ адыгэр дунеижьым». Репатриантым и махуэм ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.10 Адыгэ театрым и сезоныр зэхуещIыж. Репортаж. ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.50 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «Уэрэд уахътыншэ». Зэрыгъыж къуажэм щекIуэкIа зэхыхьэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.00 «Дызэгъусэу». Бэч Азэмэтрэ Беслъэней Ренатэрэ я концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.45 «Утыку». Щукин Борис и цIэр зезыхьэ Театральнэ институтым и балъкъэр студиер къэзыухахэр (балъкъэрыбзэкIэ) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) ОТР Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 26 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) 6.30 ДНК-м теухуауэ щIоупщIэ (12+) 7.10 «ЦIыхур тхыдэм къызэрыхэщыжыр». УзэщIакIуэ Боташев Ибрэхьим (12+) 7.40 «А зауэм хэта сэлэтхэр…». Зенин Александр (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (16+) 17.00 Чехов Антон. «Размазня». Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и спектакль (12+) 17.10 Нестеренкэ Владимир зи унафэщI, Органнэ квартетым и концерт. Япэ Iыхьэ (12+) 18.10 «Тхыдэм и лъагъуэхэмкIэ». КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ Опрышкэ Олег (12+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Гъубж, бадзэуэгъуэм и 27 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Полк уахътыншэ» (12+) 6.30 «Тхыдэм и лъагъуэхэмкIэ». КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ Опрышкэ Олег (12+) 7.00 Нестеренкэ Владимир зи унафэщI, Органнэ квартетым и концерт. Япэ Iыхьэ (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «Кавказым хуэусахэр». 1837 гъэм Лермонтов Михаил щэхуу Кавказым къызэрыщикIухьар. Япэ Iыхьэ (12+) 8.50 Чехов Антон. «Размазня». Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и спектакль (12+) 17.00 «Хабзэр яхъумэу» (12+) 17.10 «Теплъэгъуэм и макъамэ» (12+) 17.25 Нестеренкэ Владимир зи унафэщI, Органнэ квартетым и концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 18.15 «Кавказым хуэусахэр». 1837 гъэм Лермонтов Михаил щэхуу Кавказым къызэрыщикIухьар. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 28 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Хабзэр яхъумэу» (12+) 6.25 «Теплъэгъуэм и макъамэ» (12+) 6.40 «Кавказым хуэусахэр». 1837 гъэм Лермонтов Михаил щэхуу Кавказым къызэрыщикIухьар. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 7.10Нестеренкэ Владимир зи унафэщI, Органнэ квартетым и концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр (12+) 17.00 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 17.15 «Дыщэ бжьэмий». Кулиевымрэ Мечиевымрэ (12+) 17.35 «Кавказым хуэусахэр». 1837 гъэм Лермонтов Михаил щэхуу Кавказым къызэрыщикIухьар. Ещанэ Iыхьэ (12+) 18.05 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». 1TV-м и унафэщI Алтуев Мурат (12+) 18.35 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Махуэку, бадзэуэгъуэм и 29 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 6.25 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 6.40 «Кавказым хуэусахэр». 1837 гъэм Лермонтов Михаил щэхуу Кавказым къызэрыщикIухьар. Ещанэ Iыхьэ (12+) 7.10 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». 1TV-м и унафэщI Алтуев Мурат (12+) 7.40 «Дыщэ бжьэмий». Кулиевымрэ Мечиевымрэ (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 Щукин Борис и цIэр зезыхьэ театральнэ институтым и балъкъэр студиер къэзыухахэр (12+) 17.00 «Партитура». (12+) 17.25 «Спектр». Театрымрэ киномрэ я режиссёр ЕмкIуж Андзор (12+) 18.00 Лермонтов Михаил. «Венец певца-венец терновый» (12+) 18.35 «02» къулыкъущIапIэм хъыбар фегъащIэ» (16+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Мэрем, бадзэуэгъуэм и 30 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «02» къулыкъущIапIэм хъыбар фегъащIэ» (16+) 6.25 «Спектр». Театрымрэ киномрэ я режиссёр ЕмкIуж Андзор (12+) 7.00 Лермонтов Михаил. «Венец певца-венец терновый» (12+) 7.35 «Партитура» (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «Кабардинка» ансамблым и концерт. Япэ Iыхьэ (12+) 17.00 «ПщIэну щхьэпэщ» (12+) 17.30 Уэрэд жыIэнымкIэ егъэджакIуэ Бэрбэч Светланэ (12+) 18.10 «Зи IэщIагъэм хуэпэж». КъБР-м щыIэ МВД-м и подполковник Джэданэ Залым (12+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 31 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Усэхэр зэрыт дэфтэр» (12+) 6.30 «ПщIэну щхьэпэщ» (12+) 7.00 Уэрэд жыIэнымкIэ егъэджакIуэ Бэрбэч Светланэ (12+) 7.40 «Зи IэщIагъэм хуэпэж». КъБР-м щыIэ МВД-м и подполковник Джэданэ Залым (12+) 8.15 «Кабардинка» ансамблым и концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 17.00 45 «ЕджэкIэ нэгузыужь» (12+) 17.25 «ГъащIэр зы махуэ нэхуу кIуащ». ЩIэныгъэлI Бэлэтокъуэ Виталий и фэеплъу (12+) 17.55 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБР-м щIыхь зиIэ и механизатор Шукаев Алик (12+) 18.35 «БлэкIам щыщ теплъэгъуэхэр» (12+) Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 1 6.00 «Настоящая принцесса». Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и спектакль (12+) 6.50 «ГъащIэр зы махуэ нэхуу кIуащ». ЩIэныгъэлI Бэлэтокъуэ Виталий и фэеплъу (12+) 7.20 «БлэкIам щыщ теплъэгъуэхэр» (12+) 7.50 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КъБР-м щIыхь зиIэ и механизатор Шукаев Алик (12+) 8.30 «ЛъэщапIэ». (12+) 17.00 «Щытхъу зиIэ дохутыр» (12+) 17.30 «Мыр ди Хэкущ, ди унэщ» (12+) 18.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 26 7.07, 7.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 КIыщ Мухьэдин теухуауэ (12+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (12+) 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр Гъубж, бадзэуэгъуэм и 27 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 «Тщымыгупщэн папщIэ». Хэку зауэшхуэм и ветеран Къагъырмэс Хьэмзэт (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.40 «Лъагъуныгъэм теухуа уэрэдхэр». Молэ Владимир и макъамэ зыщIэлъ уэрэдхэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр Бэрэжьей, бадзэуэгъуэм и 28 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 «Ди щIэинхэр». IэпщIэлъапщIэ Мисаковэ Верэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.45 Сабий ныкъуэдыкъуэхэм яхуэгъэза псапащIэ Iуэху (6+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) Махуэку, бадзэуэгъуэм и 29 7.07, 7.35, 8.07 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 «ЦIыху. ТхакIуэ. ЩIэныгъэлI». IутIыж Борис (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.45 «Тщыгъупщэ хъунукъым». Ислъэмей къуажэм щыпсэухэу Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм тылым щылэжьахэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр Мэрем, бадзэуэгъуэм и 30 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.30 КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Акъсырэ МуIэед къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. «Сурэтым хуэдэ щыIэкъым» (12+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (12+) Щэбэт, бадзэуэгъуэм и 31 Лажьэркъым Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 1 8.00 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100111.txt" }
Бзылъхугъэ гуащIафIэ Бадзэуэгъуэм и 24-м и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу Адыгейм щыщ усакIуэ, тхакIуэ, драматург цIэрыIуэ Хъунэгу Саидэ. А бзылъхугъэ гуащIафIэр ящыщщ лъэпкъ литературэм зи къалэмыр къыхэжаныкIахэм. Красногвардейскэ щIыналъэм хыхьэ Жэмбэчей къуажэм къыщалъхуащ Саидэ. 1984 гъэм абы къиухащ Москва дэт Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр. Усыгъэми прозэми зэхуэдэу щылъащэ, зи псалъэр щIэщыгъуэ Саидэ пасэу тхэн щIидзащ. Адыгэ лъэпкъым и дахагъэр, абы и хабзэ лъапIэхэр, цIыхугъэр, лъытэныгъэр, гущIэгъур я лъабжьэщ Хъунэгум и IэдакъэщIэкIхэм. Куэдым фIыуэ ялъэгъуауэ зэIэпах и усэхэм нэмыщI, абы къигъэщIащ сценарийхэр, гушыIэр зи лъабжьэ тхыгъэхэр икIи ахэр театрхэм щагъэлъагъуэ, телевиденэмкIэ щIэх-щIэхыурэ къат. Хъунэгуращ зытхар Адыгейм япэу щытрахауэ щыта художественнэ фильм кIэщIым и сценарийр. Сочэ къалэ щекIуэкIауэ щыта «ТЭФИ-регион» зэхыхьэм Саидэ «Всё для тебя, друг мой» зыфIища и фильмыр нэхъыфIхэм хабжауэ щытащ. «УблапIэ» фIэщыгъэм щIэту тхакIуэ зыбжанэм я IэдакъэщIэкIхэр иту 1985 гъэм дунейм къытехьа тхылъым Хъунэгум ей зыбжани ихуащ. Ар махуэ зыхуэхъуа бзылъхугъэм иужькIэ къыдигъэкIащ усэхэр, эссехэр, монологхэр зэрыт «Осэпсыц» (1989), «Пшъэхъухэр» (1994), «Макъэ шъхьафит» (2001), «ЛIэшIэгъуитIым ялъэмыдж» (2006) тхылъхэр. Саидэ и тхыгъэхэм я япэ сатырхэм щегъэжьауэ щызыхыбощIэ абы и псэ къабзагъымрэ зэхэщIыкI инымрэ. Гупсысэ жан зиIэ а бзылъхугъэм гъащIэм къигъэув Iуэхухэм бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуегъуэт. Хъунэгу Саидэ и творчествэр къуэпсыбэщ, адыгэм и блэкIар, нобэр, лъэпкъ Iуэхур щыпэрытщ абы. Дунейм фIыкIэ зебгъэужьын, ар нэхъ дахэ зэрыпщIын яужь уитын зэрыхуейрщ и щIэджыкIакIуэр къызыхуриджэр. Абыхэм утетмэ, гъащIэр тыншыпIэ-гупсэхупIэ зэрыпхуэхъунур къыджеIэ тхакIуэм. ТхакIуэ-усакIуэхэм яхэтщ я ныбжьым хуумыгъэфэщэну гъащIэм фIыуэ хэзыщIыкIхэр, абы и гъурри и цIынэри зыщIэхэр. Апхуэдэщ Хъунэгу Саиди. Адыгейм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ ар. 1996 гъэ лъандэрэ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. «Зэхэугъоегъэ тхыгъэхэр зыдэт тхылъ» къыдэкIыгъуэр Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зратыну 2013 гъэм къагъэлъэгъуахэм ящыщащ. Зи IуэхущIафэкIэ цIэрыIуэ ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэм дохъуэхъу, и унагъуэм, лъэпкъым, литературэм иджыри илъэс куэдкIэ узыншэу хуэпсэуну, хуэушэну. Щомахуэ Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100113.txt" }
Лъэпкъ видеонэтынхэр Мы гъэм япэу къызэрагъэпэща Лъэпкъ видеонэтынхэмкIэ «МЫ» урысейпсо зэпеуэм фрагъэблагъэ. Зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэным хэтыну гупыж зыщIхэм фи лэжьыгъэ-хэр бадзэуэгъуэм и 31 пщIондэ къыфIахынущ. Абы щытекIуэхэр ягъэлъэпIэнущ щэкIуэгъуэм и 4-м, ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм, ирихьэлIэу. Зэпеуэр къызэзыгъэпэщахэм я мурадщ Урысейм щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр къагъэнэIуэну, лъэпкъхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэну. ЦIыху щхьэхуэхэм я мызакъуэу, зэпеуэм гупхэри, теле, киностудиехэри я зэфIэкI щеплъыж хъунущ. Видеонэтынхэр IуэхугъуитIым теухуащ: «Урысейм ис лъэпкъхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэр», «Лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэхэр». Езыр-езыру гупыж зыщIа цIыху щхьэхуэхэм зэхьэзэхуэм хэтынухэм я лэжьыгъэр анимацэ, репортаж е документхэр зи лъабжьэ нэтынхэу ягъэхьэзыру бадзэуэгъуэм и 31 пщIондэ мыконкурс.рф. сайтым ирагъэхьын хуейщ. ФокIадэм и 15-м щыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 30 пщIондэ гупыж зыщI дэтхэнэри хэт хъунущ зэпэIэщIэу ирагъэкIуэкIыну цIыхубэ IэIэтым. Нэхъыбэ къэзыхьращ зи лэжьыгъэр нэхъыфIу къалъытэнур. Апхуэдэу нэтынхэмрэ фильмхэмрэ я фIагъыр зыхуэдэр къагъэлъэгъуэнущ къэпщытакIуэ гупым хэтхэм. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIынущ нэтынхэм лъэпкъ щэнхабзэмрэ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэмрэ къызэрыхэщым, нэтынхэм я фIагъым. Зэпеуэм щытекIуэхэм иратынущ дизайнерхэм ягъэхьэзыра «Мы» статуэткэмрэ ахъшэ саугъэтрэ. Ягъэхьэзырыну лэжьыгъэхэм я фIагъым хагъэхъуэн папщIэ зэпеуэр зи жэрдэмхэм ягъэхьэзыращ дерсиплIу зэхэт видеокурс. А мастер-классхэр щызэхуэхьэсащ «Мы» зэпеуэм и YuTube-каналымрэ «Ноль Плюс» онлайн-кинотеатрымрэ. КъищынэмыщIауэ, киномрэ анимацэмрэ фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэм зэпеуэм ирагъэхьыну нэтынхэр зэрагъэхьэзырынум теухуа вебинархэр ирагъэкIуэкI. Зэхьэзэхуэм и зы Iыхьэщ «Фотофлешмоб «МЫ» Iуэхур. Абы хыхьэу зэхуахьэсынущ Урысейм щыпсэу лъэпкъ лIэужьыгъуэхэм я нэхэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр. ИужькIэ абыкIэ видеонэтын гъэщIэгъуэн зэхагъэувэжу ИнтернетымкIэ, щIыналъэ, федеральнэ телеканалхэмкIэ зэбграгъэкIыну я мурадщ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм «и теплъэр» къыщыгъэлъэгъуауэ. Зэхьэзэхуэм хэтхэм цIыху щхьэхуэхэм я нэхэр ину къищу сурэт трахыу къызэгъэпэщакIуэхэм хуагъэхьын хуейщ, а нэр зейр зыщыщ лъэпкъыр къагъэлъагъуэу. Ар weknkurs@gmail.cm пощтымкIэ ирагъэхь хъунущ, «Фотофлешмоб МЫ-2021» жиIэу щхьэхуэу къыхэгъэщауэ. «Мы» проектыр къыхэзылъхьахэм я къалэн нэхъыщхьэр — Урысейм ис лъэпкъхэр нэхъри зэкъуагъэувэнырщ. «Абы и фIыгъэкIэ гъунэгъу лъэпкъхэм я щэнхабзэм теухуауэ нэхъыбэ зэдгъэщIэфынущ, Урысейм ис лъэпкъхэм я теплъэр дуней псом щыдгъэлъэгъуэфынущ», — жиIащ проектыр зи жэрдэм Данн Николай. — Къыхэгъэщыпхъэщ иджыпсту Урысейм лъэпкъ лIэужьыгъуи 190-м щIигъу зэрыщыпсэур. Мыконкурс.рф сайтымкIэ зыхэбгъэгъуазэ хъунущ 2010 гъэм ирагъэкIуэкIа къыхэтхыкIыныгъэм тету лъэпкъ щхьэхуэр зэрыхъу бжыгъэм теухуауэ къыщыхьахэм. Апхуэдэу лъэпкъхэм ящыщ цIыху щхьэхуэхэм я сурэтхэри зэхуахьэсащ. Лъэпкъ видеонэтынхэмкIэ «МЫ» зэпеуэр къызэрагъэпэщащ «Иджырей гъуазджэхэмкIэ федерацэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, «Ноль Плюс» онлайн-кинотеатрым, лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм. Зэхьэзэхуэр Урысей Федерацэм и Президентым и грантым къыпэкIуа ахъшэ саугъэтымкIэ ирагъэкIуэкI. Лъэпкъ видеонэтынхэмкIэ «МЫ» урысейпсо зэхьэзэхуэм теухуа тхыгъэхэм нэхъ зыубгъуауэ зыщывгъэгъуазэ хъунущ мыконкурс.рф сайтым. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100116.txt" }
БзэщIэныгъэлIым и лэжьыгъэшхуэ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэ Габуниа Зинаидэ и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэм я иужьрей, ещанэ, томыр. -Габуниа Зинаидэ филологие щIэныгъэхэм я докторщ, КъБКъУ-м урысыбзэмрэ языкознаниемкIэ и кафедрэм и профессорщ, монографиеу 24, щIэныгъэ тхыгъэу 390-м щIигъу и къалэмыпэм къыщIэкIащ, — жеIэ Котляров Виктор. — Абы и лэжьыгъэхэм ящыщщ (ахэр испан бзэщIэныгъэлI Гусман Тирадо Р. и гъусэу итхащ): «Las lenguas Caucasicas. Teria sbre su rigen principales clasipicacines. Aprtacinis de la linguistica rusa a su studi» (Universidad de Granada, 2001); «Минотарные языки в современном мире. Кавказские языки» (М., 2003); « Histria de la linguistica rusa» (Centr de Linguistica. Madrid, 2008); «Малочисленные языки в третьем тысячелетии и процессы глобализации» (Владикавказ, 2010), нэгъуэщIхэри. Габуниа РАЕН-м Абхъаз Республикэм щиIэ ЩIэныгъэ академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием я академикщ, Дунейпсо Кавказ лингвистикэ зэгухьэныгъэм хэтщ, Ингуш Республикэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. Къыхиха IэщIагъэм хуэпэж щIэныгъэлIым и гъащIэ псор триухуащ лингвистикэм, Кавказым щыпсэу лъэпкъ мащIэхэм я бзэр хъума зэрыхъунымрэ ахэр джынымрэ. Бзылъхугъэ щыпкъэм и лэжьыгъэр уасэ зимыIэщ, бзэм къыщымынэу, лъэпкъхэм я щэнхабзэ, псэ къулеигъэхэр зыхъумэщ. Зинаидэ и тхылъхэм я япэ томитIым (напэкIуэцI 1064-рэ мэхъу) щызэхуэхьэсащ щIэныгъэлIым и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр, илъэс щэ ныкъуэм нэблагъэ къызэщIэзыубыдэр. Ещанэ тхылъыр IыхьитIу зэхэтщ. Япэр абхъаз-адыгэ бзэ гупым я пасэрей тхыбзэм и тхыдэм теухуащ. Гулъытэ нэхъыбэ абы щыхуэщIащ клинописымрэ дамыгъэхэмрэ. ЩIэныгъэлIым зэхуихьэса лэжьыгъэхэмрэ къигъэлъэгъуа Iуэху еплъыкIэхэмрэ, шэч хэмылъу, а темэм адэкIи елэжьынухэм къахуэщхьэпэнущ. ЕтIуанэ Iыхьэр зыхухэхар бзэ щIэныгъэм теухуа зэпсэлъэныгъэ гъэщIэгъуэнхэрщ. Абы лъабжьэ хуэхъуауэ зэпкърихыр И. В. Сталинымрэ журналым и редактор нэхъыщхьэ В. В. Виноградовымрэ я Iуэху еплъыкIэу 1950 — 1952 гъэхэм «Вопросы языкознания» журналым къытехуа тхыгъэхэрщ. ЩIэджыкIакIуэхэм яIэрыхьа ещанэ тхылъым куэду итщ адыгэхэм, абазэхэхэм, абхъазхэм я лъэпкъ дамыгъэхэр. Тхылъым и бжыгъэр 300 хъууэ къыдэкIащ. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100118.txt" }
Прохладнэдэсхэм я IэдакъэщIэкIхэр Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ Прохладнэ къалэм и «Ренессанс» зэгухьэныгъэм хэтхэм я IэдакъэщIэкIхэр. «Кавказ — родина моя» — аращ фIащар Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум траухуа выставкэм. Лэжьыгъи 140-рэ утыку къыщрахьащ музейм и пэшищым. -Куэд щIауэ дыщыгъуазэщ Прохладнэм и художникхэм я зэфIэкIым. «Ренессанс» зэгухьэныгъэм Iэмал къыдет ди нэIуасэ сурэтыщIхэм я лэжьыгъэщIэхэм деплъыну, гъуазджэм къыхыхьа цIэщIэхэр зэдгъэцIыхуну», — жиIащ музейм и къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ, гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым. — Выставкэм и фIыгъэкIэ художникхэм къехъулIащ республикэм и щIыпIэ дахэхэм, архитектурэ фэеплъхэм, тхыдэм теухуа я лэжьыгъэхэм гъуазджэм дихьэххэр ирагъэплъыну. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и Методикэ центрым и унафэщI, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ и псалъэм къыхигъэщащ «Ренессанс» зэгухьэныгъэр илъэс зыбжанэ хъуауэ зэринэIуасэр, я лэжьыгъэхэр зэрыгъэщIэгъуэныр, дапщэщи хуэдэу, я иджырей выставкэм сурэтыщI гъуазджэмкIэ мыхьэнэ зэриIэр. «Ренессанс» зэгухьэныгъэм и унафэщI Ненашевэ Татьянэ жиIащ пандемием къыхэкIыу я гупыр илъэс етIуанэ нэблэгъауэ зыщIыпIи зэрымыкIуар, гъэлъэгъуэныгъэхэм зэрыхуэзэшар, я лэжьыгъэхэм сурэтыщI гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм гукъыдэж къратамэ зэрагуапэр, дяпэкIи я зэфIэкIым, я лэжьыгъэхэм я фIагъым зэрыхагъэхъуэным зэрыхущIэкъунур. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100121.txt" }
«Къэбэрдей-Балъкъэрыр — псоми ди зэхуэдэ унэщ» Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ къэралпсо форум иным хиубыдэ зэIущIэ иджыблагъэ Аруан щIыналъэм и щыхьэр Нарткъалэ щыIащ. Ди республикэм етIуанэу щекIуэкI иджырей зэхуэсыр ирагъэхьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 щрикъум. Жылагъуэм къыщыхъункIэ хъуну щытыкIэ къызэрымыкIуэхэм укъызэрикI хъуну Iэмалхэм, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ цIыхухэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуа зэрыхъунум тепсэлъыхьыну абы щызэхуэсат ди республикэм хыхьэ Аруан, Шэрэдж, Лэскэн, Май щIыналъэхэм я лIыкIуэхэр. Апхуэдэхэт щIыналъэ, щIыпIэ советхэм я депутатхэр, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр. ЗэIущIэр къызэригъэпэщащ КъБР-м Жылагъуэ зэгухьэныгъэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм. Абы жыджэру хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ советым и унафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий сымэ, нэгъуэщIхэри Коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм зыщыхъумэнымкIэ къигъэув мардэхэм тету екIуэкIащ зэIущIэр. Ар къызэIуаха нэужь, лэжьыгъэм щыпащащ цIыху 50 нэхърэ мынэхъыбэ къызэщIэзыубыдэ гуп щхьэхуэхэм, зытепсэлъыхь IуэхугъуэхэмкIи зэщхьэщыхауэ. Апхуэдэхэт «ЦIыхубэ дипломатие», «Динымрэ цIыхумрэ», «ГъащIэмрэ хабзэмрэ», нэгъуэщI унэтIыныгъэхэри. — Ди къэралыгъуэр нэхъ лъэщ зэрытхуэщIыну, щIыналъэм и экономикэр, псэукIэр, жылагъуэм щыщыIэ зэхущытыкIэхэр зэребгъэкIуэфыну Iэмалхэм ящыщщ, шэч хэмылъу, лъэпкъхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэ быдэр, — жеIэ КъБР-м жылагъуэ зэгухьэныгъэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор. — Аращ а унэтIыныгъэм гулъытэ хэха дапщэщи щIигъуэтыр. ЗэIущIэм хэтахэм Iэмал яIащ къахуеблэгъа хьэщIэхэм езыхэр зыгъэпIейтей упщIэхэмкIэ зыхуагъэзэну. ЖЫЛАСЭ Маритэ.24
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100124.txt" }
Адрейхэм куэдкIэ къащхьэщыкI зэхьэзэхуэ ин Дыгъуасэ Iэтауэ Токио къыщызэIуахащ XXXII Гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Ар илъэс ипэкIэ зэхэтын хуеят, ауэ коронавирус уз зэрыцIалэм зэщIищта дуней псом а Iуэхур щафIэкъэбылакъым. Иджыпстуи щытыкIэр нэхъыфIкъым, мынэхъыкIэмэ. АрщхьэкIэ тегушхуащ, олимп зэщIэхъееныгъэр хамыгъэкIуэдэжыпэн щхьэкIэ. Японием шыпсэухэм я нэхъыбэр хуеижкъым Олимпиадэр я деж мы гъэми щагъэIэну, къахуэкIуэнухэм узыр ягъэбэгъуэну къащохъури. Апхуэдэу щыт пэтми, зэхьэзэхуэ иныр зэхаублащ икIи ар адрейхэм куэдкIэ къащхьэщыкIынущ. Ласицкене (Кучинэ) Марие Къэрал 200-м щIигъум къикIа спортсмен мин 11-м щхьэдэхым я хъуэпсапIэр къайхъулIащ. Ахэр хэтынущ дэтхэнэ зыми зэрысабийрэ и псэм щигъэфIэ Олимп джэгухэм. Бадзэуэгъуэм и 23-м щыщIэдзауэ шыщхьэуIум и 8 пщIондэ спорт лIэужьыгъуэ 50-кIэ екIуэкIыну зэпеуэхэм медаль 1079-м щыщIэбэнынущ, 339-р дыщэу. Олимп программэм япэу хагъэхьащ каратэр, бгым дэпщеиныр, серфингыр, скейтбордыр. КъищынэмыщIауэ, утыку къихьэнухэщ дзюдомкIэ, триатлонымкIэ, шабзэ гъэуэнымкIэ гуп зэпеуэхэр. Аргуэру кърагъэгъэзэжащ бейсболымрэ софтболымрэ, японхэр хуабжьу зэрыщIэлъэIуам къыхэкIыу. Сыт щыгъуи хуэдэу Олимп джэгухэм спортсмен нэхъыбэ дыдэ зыгъакIуэр Америкэм и Штат Зэгуэтхэрщ. Абы и щIыхьыр яхъумэнущ цIыху 613-м. Хэгъэрей японхэм зэхьэзэхуэхэм хагъэтынущ атлет 552-рэ. Допингым зыхидза бэлыхьхэм я зэранкIэ Урысейм и олимп спортсменхэм «Russian lympic Cmmittee» (RС) фIэщыгъэм, Дунейпсо Олимп Комитетым и бэракъ хужьымрэ гербымрэ щIэту зыкъагъэлъэгъуэнущ. Ди къэралым икIа цIыху 335-м ящыщу хэт зэхьэзэхуэм щытекIуэми, хэкум и гимным и пIэкIэ къыхурагъэуэнур Чайковскэм и концерт №1-м и пэщIэдзэ Iыхьэращ. Асэкъал Рустам Токио къыщызэIуаха Олимпиадэм, хэгъэрейхэм къищынэмыщIауэ, еплъын къудей щхьэкIэ хамэ къэрал къикIхэр ягъэкIуэнукъым. Абыи мылъкукIэ хэщIыныгъэшхуэ къаритынущ. Зэпеуэхэм зэрыкIэлыплъынур телевизоррэ ИнтернеткIэщ. Ди къэралым ар дагъэлъагъуну хуитыныгъэ иратащ Япэ каналым, ВГТРК-м, «Матч ТВ»-м. АрщхьэкIэ Мэзкуурэ Токиорэ я зэманыр сыхьэтихкIэ зэрызэщхьэщыкIым къыхэкIыу жэщым сыхьэтищым щыщIэдзауэ телевизорым кIэрысын хуей хъунущ, занщIэу хъыбар къэпщIэну ухуеймэ. Дэ дытемыпыIэжу дыкIэлъыплъынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэу Токио жыжьэм зыкъыщызыгъэлъэгъуэну лъагэу дэлъеинымкIэ дуней псом щынэхъ лъэщхэу Ласицкене (Кучинэ) Мариерэ Акименкэ Михаилрэ. Абыхэм Iэмал псори яIэщ олимп чемпион хъуауэ Хэкум къагъэзэжыну. Акименкэ Михаил Мусукаев Исмэхьил НэгъуэщI къэралхэм я щIыхьыр яхъумэнуми, икъукIэ дадэщIынущ бэнакIуэ лъэрызехьэхэу Адыгейм щыщ Асэкъал Рустамрэ балъкъэр щIалэ Мусукаев Исмэхьилрэ. Абыхэми дыщэр зыIэрагъэхьэфынущ. Къапщтэмэ, зи цIэкIэ банэ Узбекистаным Асэкъалым Азием и чемпион цIэр мызэ-мытIэу къыхуихьащ, дунейпсо зэпеуэхэми дыжьынрэ домбеякърэ IэщIэлъу къыщигъэзэжащ. Рустам и дежкIэ мыр япэ Олимпиадэкъым икIи и насып иджы текIуэну догугъэ. Хьэсэней къуажэм щыщ Мусукаевым иужь илъэсхэм зи щIыхьыр ихъумэр Венгриеращ икIи дунейпсо утыкум и щIыхьыр хэпщIыкIыу щиIэтащ. Аращи, гъуэгу махуэ, Токио-2020! Насып куэд Тхьэм къытхудигъакIуэ. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100127.txt" }
ЦIыхубэ усакIуэр ягу къагъэкIыж Бадзэуэгъуэм и 22-м ягу къагъэкIыжащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-мрэ КъБР-мрэ я къэрал саугъэтхэм я лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэр къызэралъхурэ илъэси 107-рэ щрикъум ирихьэлIэу. УсакIуэшхуэм и фэеплъу Налшык къалэ администрацэм и гупэм къитым деж, хабзэ зэрыхъуауэ, лъэпкъ интеллигенцэм, усакIуэм и тхыгъэхэр фIыуэ зылъагъухэм, и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, къэзыцIыхуу щытахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ. УсакIуэм къытхуигъэнащ лъэпкъ прозэм, усыгъэм, драматургием хуищIа хэлъхьэныгъэхэр. КIыщокъуэм цIыхубэм тыгъэ къытхуищIащ и щIэинхэр, псалъэм, гупсысэм, гъащIэм я дахагъэр. Абы и тхыгъэхэм Iуданэ плъыжьу щыпхышащ ноби тхылъеджэхэм зызыхуагъазэ а лъапIэныгъэхэр. КIыщокъуэ Алим и япэ гъэсакIуэ, егъэджакIуэ хъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий. Абы теухуауэ КIыщокъуэм сыт щыгъуи игу къигъэкIыжырт: «Усэ тхыным сыщIыдихьэхам щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар ЩоджэнцIыкIу Алий сызэрыхуэзарщ». Нобэр къыздэсым зэгъунэгъу лъэпкъхэм я щапхъэу къахь цIыхубэ усакIуэхэу, 1941 — 1945 гъэхэм Хэку зауэшхуэм зэдыхэта КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ яку дэлъа зэныбжьэгъугъэ гуапэр. Налшык къалэм и уэрамхэм ящыщ зым КIыщокъуэ Алим и цIэр зэрехьэ. Ар къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщызэIуахауэ щолажьэ и фэеплъ музей. Апхуэдэу усакIуэм и цIэр фIащащ ар зыщIэса Щхьэлыкъуэ къуажэм и курыт еджапIэми. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100133.txt" }
Къызэдэунэхуащ Хьэршыр зыджхэм иджыблагъэ хъыбар зэбграгъэхащ нэм къыхуэмыплъыхь, гъуни нэзи зимыIэ уахэ жыжьэм зэманыр, дыщыпсэум зэрыщекIуэкIым хуэмыдэу, щызэщIэкIуэж нэгъуэщI КъэщIыгъэ (Дуней) зэрыщыIэм ехьэлIауэ. США-м хьэршым кIэлъыплъу щыIэ NASA IуэхущIапIэм щылажьэхэм къызэралъытэмкIэ, зэманыр «шыпхэтIыгу щIыкIэу» щекIэрэхъуэкI хьэрш лъащIэри дэ дызыхэсыхьри Къэлындыгъэ ИнкIэ (Большой взрыв) зэджэ къэхъугъэм и Iэужьщ. «Al Jazeera» агентствэм къызэритымкIэ, астрофизикхэм я деж зэдауэшхуэхэр къыщыхъеящ, NASA IуэхущIапIэм щыIэнкIэ хъуну жыхуиIэ Дуней къызэрымыкIуэм и щытыкIэр, и хьэл-щэныр зыхуэдэм ехьэлIауэ. Еджагъэшхуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, дыдейм емыщхьу зэманыр щызэщIэкIуэж КъэщIыгъэм къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэу иIэр зы закъуэщ: къыщыхъу псоми я зэблэхъукIэр, дэбгъуэн щымыIэу щызэпыща пэтми, блэкIам къикIыу дыздэщыIэм къызэрыхуэкIуэжырщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэр дэ, КъэщIыгъэ «захуэм» щыпсэухэр, я нэхъ мащIэрауэ дызэмысащ. NASA-м щыщхэр апхуэдэ гупсысэм тезышар Антарктидэм щагъэува ANITA антеннэу электро-малъхъэдис сыджхэр къэзыубыдым кIэрапха шар абрагъуэу щIы щхьэфэм лъагэу щхьэщаIэтыкIам къыIэрыхьэ радиоимпульсхэм я зэкIэлъыкIуэкIэрщ. ЩIы Хъурейр къэзыухъуреихь хьэуам хьэршым къикIыу дапщэщи къыхолъатэ, зэрыжьгъей дыдэм ятетщIыхьмэ, къаруушхуэ зыбгъэдэлъ мэскъалхэри. АтIэ, мис абыхэм я зыгъэзэкIэм кIэлъыплъ къэхутакIуэхэращ гу лъызытар «тау-нейтрино» зи фIэщыгъэ мэскъал нэхъ хьэлъэхэр, уафэмкIэ къимылъэтыкIыу, ЩIым къыхэкIыу хьэршым зэрыхуэкIуэжым. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ зэщIэкIуэжыкIэ къэзыгъэлъагъуэ мэскъалхэр зи гугъу тщIы КъэщIыгъэ къызэрымыкIуэу къыддэгъуэгурыкIуэм и хабзэ-бзыпхъэхэм тетхэм ящыщщ. Еджагъэшхуэхэм зэрагугъэмкIэ, илъэс мелард 13,8-рэ ипэкIэ зыкъызэкъуэзыха Къэлындыгъэ Иным иужькIэ зэуэзэпсэу къызэдэунэхуащ дыщыпсэууэ дызэсэжа Дунеймрэ зэманыр дызэрытым икIыу блэкIам хуэзышэж КъэщIыгъэ телъыджэмрэ. КЪУМАХУЭ Аслъэн.27
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100136.txt" }
ЩызэхуащIыжами къыщызэIуахами зэрытегъэкIуакъым СКА (Дон Iус Ростов) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:0. Дон Iус Ростов. «Труд» стадион. Бадзэуэгъуэм и 24-м. Еплъынухэр ирагъэхьакъым. Судьяхэр: Головко (Волгоград), Золотарёв (Брянск), Савченкэ (Ставрополь). СКА: Конюхов, Соловьёв, Ерохин, Безчаснюк, Хайруллов, Петрусев, Хьэшыр (Иванков, 71), Лях, Осипов, Коробов, Бирюков. «Спартак-Налшык»: Антипов, Ольмезов, Сындыку, Шумахуэ З., Мэкъуауэ, Шумахуэ И., Бахъсэнокъуэ (Жангуразов, 82), Багъэтыр (Ашуев, 72), Дэхъу, ХъутIэ, ЛIуп. Дагъуэ къыхуащIащ: Осиповым, Петрусевым, Багъэтырым, Хайрулловым, Бирюковым. Джэгум къыхахуащ: Петрусевымрэ Осиповымрэ. Мазэм щIигъу ипэкIэ, мэкъуауэгъуэм и 15-м, «Спартак-Налшыкымрэ» СКА-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэмкIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 — 2021 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэр зэхуащIыжауэ щытащ. Турнир таблицэм къыщахьыну увыпIэм елъытауэ абы зыри и мыхьэнэжтэкъым: хьэщIэхэм — етхуанэр, дыдейхэм — епщIанэр яубыдати, адэкIи-мыдэкIи кIуэтэнутэкъым. АрщхьэкIэ зэпеуэм и иужь дыдэ зэIущIэр дэтхэнэми хъарзынэу кърихьэлIэну хуейт, дэрэжэгъуэ нэхъ яIэу мазэкIэ загъэпсэхун папщIэ. Абы къыхэкIыу лъэныкъуэхэр ерыщу зэпэщIэтащ икIи зым адрейм топ тIурытI худигъэкIри, зэрытемыгъэкIуауэ зэбгъэдэкIыжащ. 2021 — 2022 гъэхэм я зэхьэзэхуэм и календарыр зэхэзыгъэувахэм Дон Iус Ростоврэ Налшыкрэ я командэхэр япэ дыдэ зэIущIэми щызэхуагъэзащ, адрейм занщIэу къыпащэ хуэдэу. Хьэлэмэтращи, кърикIуари зэхуэдэщ. ЗэхьэзэхуитIым я зэхуакум блэкIа зэман кIэщIым къриубыдэу СКА-м зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ. ЖыпIэну ирикъунщ мэкъуауэгъуэм и 15-м налшыкдэсхэм япэщIэтахэм ящыщу зы цIыхуи щэбэт кIуам джэгупIэ губгъуэм къызэримыхьар. А псори щIащIар япэ дивизионым хыхьэну къалэн къызэрыхуагъэувам къыхэкIыу зэрызагъэлъэщаращ. Гуапэщ абыкIэ сэбэп къахуэхъуну къалъытэу зэрызэхагъэхьар зэхьэзэхуэ блэкIам «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ нэхъыфIу щыта Хьэшыр Аланрэ нэхъапэм ди командэм хэта Лелюкаев Аланрэ. Адыгэ щIалэр занщIэу ягъэджэгуащ, балъкъэрыр зэкIэ кърагъэхьакъым. СКА-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» я зэIущIэр хуабжьу удэзыхьэхыу екIуэкIащ. ЛъэныкъуитIри нэхъыбэу зыхущIэкъур ебгъэрыкIуэныгъэрат. Пэжщ, джэгум еплъыну стадионым зыри ирагъэхьакъым, коронавирус уз зэрыцIалэм зэрызыщахъумэм къыхэкIыу. Мыбдежым сэбэп хъуащ Интернетым и Iэмалхэр — Дон Iус Ростов къратыкIа репортажым цIыхуищэхэр итхьэкъуат. Къалэнышхуэхэр зыхуагъэува хэгъэрейхэм зэ-хьэзэхуэр текIуэныгъэкIэ ирагъэжьэну хущIэкъуащ. Ар абыхэм къайхъулIэну къыщIэкIынт ирамыгъэлеямэ. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ, СКА-м и футболиститI 55-нэ, 59-нэ дакъикъэхэм судьям джэгум къыхихуащ, етIуанэу да-гъуэ яхуищIри. Арати, сыхьэт ныкъуэм щIигъукIэ «Спартак-Налшыкыр» цIыхуитIкIэ нэхъыбэу щытащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар къахуэгъэсэбэпакъым, абыкIэ Iэмал гъуэзэджэ зыбжанэ яIа пэтми. Къапщтэмэ, ХъутIэ Анзор топыр гъуэм хуигъэзэжыну къыхуэнауэ арат бжыгъэр къызэIуихын папщIэ. А Iуэхугъуэм къегъэлъагъуэ Биджиев Хьэсэнбий и гъэсэнхэм зэлэжьын куэд зэраIэр. Иджы щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2021 — 2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ джэгугъуэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) — «Ротор-2» (Волгоград) — 3:0, «Динамо» (Ставрополь) — «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — 1:1, «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) — «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — 0:5, «Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «Дружба» (Мейкъуапэ) — 3:0, «ТIуапсы» (ТIуапсы) — «Чайка» (Песчанокопскэ) — 0:3, «Форте» (Таганрог) — «Алания-2» (Владикавказ) — 3:0, «Черноморец» (Новороссийск) — «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — 0:3. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2021 — 2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и етIуанэ джэгугъуэр шыщхьэуIум и 1-м екIуэкIынущ. А махуэм ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнущ Ставрополь и «Динамо»-р. Жыласэ Заурбэч.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100140.txt" }
IуэхуфI зылэжь Дызэрыт илъэсым и пэщIэдзэхэм ирихьэлIэу Налшык къыщызэIуахащ уней тхылъ тедзапIэ. «Фрегат» ООО-м и къызэгъэпэщакIуэр Дэбагъуэ Анзорщ (генеральнэ унафэщIри езыращ), Нэгъуей Радинэ и гъусэу. Абы и офисыр Тэрчокъуэм и уэрамым и 83-нэ унэращ, езы типографием и хэщIапIэр: Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрам, 50. Дэтхэнэ IуэхущIапIэщIэми хуэдэу, «Фрегат»-м иджыпсту и къалэн нэхъыщхьэр и лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу зэтегъэувэнырщ, цIыхухэм дзыхь къыхуащIу, ныкъусаныгъэншэу лэжьэнырщ. Зэхьэзэхуэр щыкуэд нобэрей гъащIэм узыпэрыхьа Iуэхум ущемыхъулIэмэ, япэ ущимытмэ, жыжьэ унэсынукъым. Аращ «Фрегат»-м и къызэгъэпэщакIуэхэр сыт и лъэныкъуэкIи жэуаплыныгъэшхуэ пылъу щIэлажьэр, я унафэм щIэтхэри хэплъыхьыпарэ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI защIэу къыщIыхахар. Къапщтэмэ, IуэхущIапIэм щолажьэ корректорхэр, макет, вёрсткэ зыщIхэр, художественнэу IэдакъэщIэкIхэр зыгъэщIэращIэхэр. ЖыпIэнурамэ, печать лэжьыгъэ дунейм къытебгъэхьэн щхьэкIэ нэгъуэщI щIыпIэ ущIэкIуэ-жын щымыIэу абдежым псори къыщыбгъуэтынущ. ЩхъуэкIэплъыкIэу тезыдзэ япон машинэ лъэщ яIэщи, абы Iэмал къарет тхылъхэр, брошюрэхэр, журналхэр, каталогхэр традзэну. Апхуэдэуи IуэхущIапIэм егъэхьэзыр адреснэ папкэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, удостоверенэхэр. Сыт хуэдэ бланк лIэужьыгъуэхэри, этикеткэ нэгъунэ, щIыным хуэIэрыхуэщ. Япэ лэжьыгъэхэр дунейм къытригъэхьакIэщ печать IуэхущIапIэм. Псалъэм и хьэтыркIэ, абы къыщыдэкIащ Бейтыгъуэн Сэфарбий и щIэнгъуазэшхуэ (напэкIуэцI 800-м щIегъу), Бейтыгъуэн Iэуес и «Знаменитые люди Кавказа» IэдакъэщIэкIыр, Музаев Тимур и «Чеченский полк «дикой дивизии» зыфIища тхылъыр, Биттировэ Тамарэ и «Публицистика, литература и фольклор карачаево-балкарского зарубежья» жыхуиIэр, Гушмазукаев Зелимхъан теухуар, нэгъуэщIхэри. Илъэс ныкъуэ ипэкIэ лэжьэн щIэзыдза «Фрегат» ООО-м и къару куэдым хуилъщ, шэч къытетхьэркъым зыпэрыхьа Iуэхур фIыуэ зэрызригъэхъулIэнум. Иджыри къэс къыдигъэкIа-хэр щэм и щIагъ хъууэ иджыри лэжьыгъэ IэджэхэмкIи дигъэгуфIэну ди гуапэщ. ИСТЭПАН Залинэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100143.txt" }
Малика и проектыр токIуэ Ди къэралым илъэс зыбжанэ хъуауэ щокIуэкI щIалэгъуалэ ныбжьыщIэхэм я проектхэр утыку къыщрахьэ икIи щыпхагъэкI «Урысейр Iэмалхэр хуиту къыщагъэсэбэп къэралщ» Iуэхугъуэм и «Таврида» зэпеуэр. Ар къызэрегъэпэщ УФ-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэм. Псори зэхэту зэпеуэ иным хэIущIыIу щащIащ проект 26-рэ. Абыхэм къыхагъэбелджылыкIащ нэхъыфIипщIыр. Проектхэр гъащIэм хэпщэным хухахащ сом 5957000-рэ. Урысейпсо зэхьэзэхуэм кърикIуахэр къыщапщытэж зэIущIэ иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ Кърымым. Ди республикэм щыщ, зэфIэкI лъагэ зиIэ Атабие-вэ Малика хэтащ мыгъэ-рей зэпеуэм икIи ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ. Абы утыку ирихьа «Бгыхэм я Iэуэлъауэншагъэ» проектыр зэхьэзэхуэм кърихьэлIа къэпщытакIуэ гупым гунэс ящыхъуащ. Малика и лэжьыгъэ купщIафIэм икIи хьэлэмэтым къыпэкIуащ сом мелуан. А мылъкур трагъэкIуэдэнущ проектым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр ди щIыналъэм щыгъэзэщIэным. — «Бгыхэм я Iэуэлъауэншагъэ» си проектым къыщызгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, тетхыну ди мурадщ художественнэ фильм ин, балъкъэрыбзэр и лъабжьэу. Абы къыщыдгъэсэбэпынущ Кавказ Ищхъэрэм и иджырей композитор цIэрыIуэхэм я къалэмыпэм къыпыкIа макъамэ зэмылIэужьыгъуэ куэд, — жеIэ Малика. — Лэжьыгъэхэр зэфIэкIа нэужь, фильмыр щыдгъэлъэгъуэну ди мурадщ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ставрополь крайм. Лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным, абы щIалэгъуалэр дегъэхьэхыным хуэгъэпса а лэжьыгъэр, шэч хэмылъу, куэдым яфIэхьэлэмэтынущ. Жэрдэмыр къызыбгъэдэкIа пщащэм дохъуэхъу и мурад псори къехъулIэну, и цIэр фIыкIэ жыжьэ зыгъэIун лэжьыгъэ куэдым я зэхэублакIуэ хъуну. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100148.txt" }
Унагъуэм и пщIэм хагъэхъуэн мурадкIэ ХьэрычэтыщIэ, псапащIэ, IVS IуэхущIапIэм и унафэщI Нэхущ Азэмэт и жэрдэмкIэ къыхалъхьа «Унагъуэ» Iуэху щхьэпэр ирагъэжьащ. Жылагъуэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэр и тегъэщIапIэу, Нэхущым гу зылъита Iуэху щхьэпэр къыдаIыгъащ икIи унагъуэм и нобэрей Iуэху зэIумыбзхэм хэкIыпIэхэр къыхуагъуэтын, щытыкIэм зрагъэхъуэжын папщIэ зэкъуэуващ щIэныгъэ зиIэ, а Iуэхум гулъытэ хуащIыну зэричэзур къызыгурыIуэу республикэм ис цIыху зыбжанэ. Апхуэдэхэщ республикэм фIыуэ къыщацIыху психолог Iэзэ Апажэ Валерэ, «Унагъуэ» проектым и программэхэм я унафэщI, Инстаграмым щылажьэ Налшык напэкIуэцIым и редактор, инджылызыбзэмкIэ, усэмкIэ клубхэр къызэзыгъэпэ-ща Мэзукъэбз Аслъэн, «TPИZ Центр» IуэхущIапIэм и унафэщI Махуэ Нурхьэни-Миланэ, Инстаграмым щиIэ «Унагъуэ» проектым и редактор Апэжыхь Альбинэ сымэ. — Зым и дежкIи щэхукъым унагъуэм и пщIэр нобэ зэрехуэхар. Дуней псор зыгъэпIейтей а Iуэху зэIумыбзым и щытыкIэм нэхъыфIкIэ зытхуегъэхъуэжынущ абы игъэгузавэ дэтхэнэми ди еплъыкIэхэр утыку къитхьэмэ, — жеIэ Нэхущ Азэмэт. — Ди къалэн нэхъыщхьэр зэхуэпэжыныгъэр, лъагъуныгъэр, дзыхьыр зи лъабжьэ унагъуэ дахэхэм я бжыгъэм хэдгъэхъуэнырщ, адэ-анэхэмрэ я бынхэмрэ я зэхущытыкIэхэр нэхъри дгъэбыдэнырщ, едгъэфIэкIуэнырщ. Абы ехьэлIа программэхэр диIэщ. Лекцэхэр, семинархэр къызэдгъэпэщынущ. Проектым хэтхэр елIэлIэнущ нэхъапэм унагъуэм жылагъуэм щиIа пщIэр къэIэтыжыным, адэ-анэхэмрэ щIэблэмрэ я иджырей щыIэкIэр ирагъэфIэкIуэным. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100154.txt" }
Ислъамым и нур Сэджытым фепIэщIэкI Мухьэрэм мазэм и пэщIэдзэм муслъымэн илъэсыщIэ 1443-р къохьэ. Абы ипкъ иткIэ, зи мылъкум сэджыт хэзымытыкIахэр фепIэщIэкI а къалэныр вгъэзэщIэну. Сэджытым ехьэлIа къалэнхэр: Сэджытым теухуауэ Iэят куэд къыщыкIуащ КъурIэн лъапIэм. Абыхэм ящыщщ: «Уэ Iиман къэзыхьахэ, ерыскъы фэттам псапэ хэфщIыкI, гуэныхьыр упшыныж щымыхъу, ныбжьэгъуи къыпщхьэщыжыни щыщымыIэж махуэр къэмыс щIыкIэ». НэгъуэщI Iэятхэм дыкъыщоджэ: «Зи мылъкур Алыхьым папщIэ зыгъэкIуэдыр хуэдэщ щхьэмыжиблу къыхэкIа жылэм, щхьэмыж къэскIэ хьэдзищэ илъу. Алыхьым щхьэж зэрыхуэфащэмкIэ ар хуегъэбагъуэ. Тхьэм псори къызэщIеубыдэ, ещIэ». «Фэ сэджытыр наIуэу вгуэшмэ — ари хъунущ, ауэ щэхуу тхьэмыщкIэм яхуэвгуэшмэ, фэркIэ нэхъыфIщ, ар поув къемызэгъыу фщIам. Тхьэр щыгъуазэщ влэжь псоми». «Алыхьым ахъшэ телъхьэхэр (процентырщ зи гугъу ищIыр) егъэжэщIри, сэджыт зыхатыкIар егъэбагъуэ. Алыхьым илъагъу хъуркъым дэтхэнэ гуэныхьыщIэ джаурри». «ФIыгъуэм зэи унэсынукъым, уи гум къыщIитхъым щыщ умыгъэкIуэдмэ. Фэ сыт вгъэкIуэдми, абы Тхьэр щыгъуазэщ». «Алыхьым къарита фIыгъуэм тегужьеикIахэм къафIремыщI ар абыхэм я дежкIэ фIыуэ. Хьэуэ ар (зытегужьеикIа мылъкур) абыхэм я дежкIэ мыгъуэщ! Ар абыхэм Къемэт махуэм хьэзабу къапщIэхилъхьэжынущ. Алыхьым щIэину къыхуэнэжынущ уафэхэри щIылъэри. Тхьэр щыгъуазэщ фэ фщIэ псоми». «ЕхъулIащ муIминхэр: зи гур къабзэу нэмэз зыщIхэр, псалъэ надэм зыщызыдзейхэр, сэджытыр зытхэр». «Алыхьри и лIыкIуэри фи фIэщ фщIы, фи IэмыщIэ кърилъхьами сэджыт хэвгъэкI. Фэ фщыщу Iиман зиIэу зи мылъкум хэзытыкIхэм псапэшхуэ къахь». Сэджытым ехьэлIауэ хьэдис куэди щыIэщ. Мыри абыхэм ящыщ зыщ: «Зы лIы гуэр бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) еупщIащ: «Уа, Тхьэм и ЛIыкIуэ лъапIэ! Ди Iэдакъэ щIэкIахэм ящыщу сыт хуэдэм нэхъ псапэ пылъ?» Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа бегъымбарым итащ мыпхуэдэ жэуап: «Уузыншэу, уи псэр хъуапсэу, мылъкур уи гум пымыкIыу, абы уэ ухуэныкъуэжынкIэ ушынэу уи Iэдакъэ икIыращ нэхъ псапэ зыпылъри, мис абы пIалъэ къыхыумыгъэкI; псори къурмакъейм къэсу (улIэу утелъу) «мыр мобы лъос, модрейр адрейм лъос» щыжыпIэну зэманым нумыгъэс». Хьэдисым и мыхьэнэр мыращ: уи псэр зэрыхэкIыр къыщыбгурыIуам деж птыр къабыл хъужыркъым, псапи пылъыжкъым. НэгъуэщI хьэдисым мыпхуэдэу къыщыкIуащ: «Нэху къекIа цIыхум мелыIычитI къыщыхуемых махуэ щыIэкъым. А тIум я зым мыпхуэдэу жеIэ: «Я Алыхь, зытригъэкIуэдапхъэм тезыгъэкIуадэхэм я мылъкум бэрычэтыр яхухэлъхьэ». Адрей мелыIычым мыпхуэдэу жеIэ: «Я Алыхь, щысхьым, гужьеям и мылъкум кIуэдыр къыхуэгъакIуэ!» Зэгуэрым Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) деж лIитI къэкIуат. Абыхэм языр зэрыфакъырэм къыхэкIыу ЛIыкIуэм хуэтхьэусыхащ. Адрейр гъуэгум къыщытеуэ хъунщIакIуэхэм щхьэкIэ тхьэусыхащ. Бегъымбарыр абыхэм едаIуэри, яжриIащ: «Гъуэгум тет хъунщIакIуэхэр дяпэкIэ мащIэ дыдэрэ фIэкIа къыфтеуэжынукъым. Уеблэмэ, Мэккэ кIуэну чырэр хъумакIуэншэу ежьами, ягъэ мыкIыжу хъунущ. Факъырагъэращи, зэман къыфхуихуэнущ сэдэкъэуэ вгъэкIуэдынур фи Iэм IэщIэлъу, ауэ ар фIызыхын фымыгъуэту. Мис апхуэдэ зэман къыфхуимыхуауэ Къемэт махуэр къэсынукъым. ИтIанэ (Къемэт махуэм) дэтхэнэ зыри, шэч хэмылъу, Алыхьым и пащхьэ фиувэжынущ: фэрэ Алыхьымрэ фи зэхуакум Iупхъуэ дэмылъу, тэрмэши дэмыту. Мис итIанэ Алыхьыр цIыхум еупщIынущ: «Мылъку уэстатэкъэ?» Жэуап къитынущ: «НытIэ, къызэптат». Аргуэру къеупщIынущ: «ЛIыкIуэ ныпхуэзгъэкIуатэкэ?» «НытIэ, къысхуэбгъэкIуат». ЦIыхур ижьымкIэ плъэми, сэмэгумкIэ плъэми, мафIэ фIэкIа илъагъунукъым. Аращи, зы хъурмэ цIыкIу закъуэ фIэкIа фимыIэми сэдэкъэуэ (Тхьэм папщIэ) вгъэкIуэди, мафIэм зыщыфхъумэ. Зы хъурмэ закъуэри фхузэфIэмыкIынумэ, псалъэ гуапэкIэ мафIэм зыщыфхъумэ — ари сэдэкъэщ». Сэджытыр зыхэгъэкIыпхъэ мылъкур: — ахъшэм (лIэужьыгъуэ псоми); — дыщэ-дыжьыным; — Iэщым; — гъавэм. Дыщэм и хьэлъагъыр грамми 100-рэ мискъал 20-рэ мыхъуауэ сэджыт хэкIыркъым. Дыжьыныр грамм 700-м щIигъумэщ сэджыт щыхагъэкIыр. Сэджытыр хэкIын хуейщ ахъшащхьэмрэ абы къищIа хэхъуэмрэ, Iэщхэм, гъавэ къыпхэхъуам. Абы щыгъуэми Iэщышхуэм (хыв лIэужьыгъуэри хеубыдэ) я бжыгъэр 30-м нэсыху сэджыт техуэркъым. Гъавэу къэбгъэкIам сэджыту хуэзэр Iыхьэ пщIанэм и ныкъуэращ. Сэджытыр зэтыпхъэхэр: Сэджытыр зэтыпхъэхэр КъурIэн лъапIэм IупщIу къыщыкIуащ. Мис ахэр: Факъырэхэр. Апхуэдэу къалъытэр сэджыт зыхитыкIын мардэм нэхърэ нэхъ мащIэ е абы и уасэм нэхърэ нэхъ мащIэ фIэкIа зыбгъэдэмылъхэращ. Мылъку бгъэдэлъу, лэжьапIи Iуту, ауэ а псори и унагъуэр иригъэпсэун папщIэ хурикъу къудейуэ щытмэ, абыхэми сэджытыр епт хъунущ. Зыри зимыIэхэр (мискинхэр). Абы теухуауэ КъурIэным къыщыкIуащ: «ЩIым хэс тхьэмыщкIэхэр гъэнщIын…». Апхуэдэхэр мылъаIуэмэ, яшхыни щатIэгъэни ягъуэтынукъым. Абыхэм я хуэныкъуэныгъэр факъырэхэм нэхърэ нэхъ Iеижщ. Лэжьэн лъэмыкIмэ, къару бгъэдэмылъмэ, апхуэдэхэр лъаIуэми ягъэ кIынукъым. Сэджытым елэжьхэр. Сэджытыр къыхэхынымрэ ар зыхуэфащэхэм яхуэгуэшынымрэ елэжь муслъымэнхэм я Iуэху, я лэжьыгъэ къагъэнауэ абы щелэжькIэ, абыхэми епт хъунущ сэджытыр. Ягухэр диным къыхуэщэбэнымкIэ гугъэ зыхуэпщIхэр. ПщылIхэр. ЩIыхуэ зытелъхэр. Ауэ щыхъукIи, мыхъумыщIагъэкIэ, Алыхьым фIэмыфI Iуэхугъуэ илэжьакIэрэ щIыхуэ къызытехуам сэджыт епт хъунукъым. Iуэху щхьэпэ гуэркIэ къигъэсэбэпыну, псалъэм и хьэтыркIэ, и сатукIэ щIыхуэ къытехуауэ щытмэ, абыхэм сэджытыр епт хъунущ. Алыхьым и гъуэгум тетхэм. Абы къикIыр Тхьэм ифIэфI Iуэхугъуэ зылэжь цIыхур хуэныкъуэмэ, сэджыт етынырщ. ГъуэгурыкIуэхэр. Гъуэгу теуварэ и унэ нэзыхьэсыжын мылъку къызыхуэмынэжахэращ зи гугъу ищIыр. Уаз Мухьэрэм мазэр къохьэ Муслъымэн махуэрыбжэмкIэ мухьэрэм мазэр гъэм и пэщIэдзэщ — илъэсыщIэр къохьэ. Ар Алыхьым нэхъ лъапIэ дыдэу къигъэщIа мазиплIым ящыщщ. Абы теухуауэ Iэят куэд КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ, хьэдисхэми куэдрэ ущрохьэлIэ. Мухьэрэм мазэ лъапIэм и епщIанэ махуэр IэшрыIщ (мы гъэм шыщхьэуIум (августым) и 18-м тохуэ). Абы и пэ ит махуэмрэ къыкIэлъыкIуэмрэ нэщI пIыгъыныр суннэтщ. Хьэдисым къызэрыщыкIуамкIэ, IэшрыIым и пэ ит махуэм нэщI зыIыгъхэм илъэсым яIэщIэщIа гуэныхьхэр къахуогъу, къищынэмыщIауэ, зы хугу хьэдзэ хуэдиз фIэкIа мыхъуми, а махуэм сэдэкъэ зытам и псапэр Хьудуд бгышхуэм хуэдизу ебж Алыхьым. А махуэм псапэ лэжьыныр, нэщI Iыгъыныр, сабийхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, гъунэгъухэр гъэгуфIэныр, нэхъыбэрэ КъурIэн еджэныр пса- пэщ. IэшрыI махуэ лъапIэм Алыхьым къигъэщIащ махуэхэри, щIылъэри, япэ цIыхури (Iэдэм), абы и щхьэгъусэ Хьэуаи, бгыхэри, мелыIычхэри, жинхэри, вагъуэхэри. Дунейр щыкъутэжынури IэшрыI махуэрщ. Ислъам диным ехьэлIа Iуэхугъуэ телъыджэ куэд къэхъуащ а махуэм. Япэ дыдэу Алыхьым къигъэщIа цIыхум — Iэдэм — и лъэIур къабыл ищIу и гуэныхь щыхуигъэгъуа махуэщ ар. КъищынэмыщIауэ, псыдзэкIэ дунейр щыкъутэжа махуэм Нухь бегъымбарымрэ абы и гъусэу кхъухьым исахэмрэ Алыхьым къихъумащ. Илъэс 950-м щIигъукIэ Нухь цIыхубэр Алыхьым и закъуэныгъэр къалъытэным къыхуриджами, ар къабыл зыщIар цIыху 80 къудейт. Абы щыгъуэм Алыхьыр губжьу псыдзэкIэ дунейр щикъутэжам, Нухьрэ и гъусэхэмрэ кхъухьым къикIыу щIылъэм щытехьэжар IэшрыI махуэущ. ЛIыкIуэ Мусэрэ абы и жыIэр зыгъэзэщIахэмрэ Алыхьым къызэрихъума щIыкIэри телъыджэт: Мусэрэ абы и къуэш Хьэрунрэ Алыхьым Iэмыр ящищIат Фирхьэун джаурым и деж кIуэуэ, Алыхьым и арэзыщIыныгъэм къыхураджэну, Алыхьым фIэкIа Тхьэ зэрыщымыIэр жраIэну. АрщхьэкIэ, Фирхьэун езым Алыхьу зыбжыжырт, цIыхубэм щхьэщэ зыхуригъэщIырт. ЛIыкIуэхэм я къыхуеджэныгъэр зигу иримыхь Фирхьэуным и дзэр иришажьэри, Мусэ и дзэр зэтриукIэн мурад иIэу кIэлъыщIэпхъуат. Абы щыгъуэм Фирхьэун и дзэр цIыху мелуанрэ щиблрэ хъурт. Мусэ и дзэр цIыху мин 600 къудейт зэрыхъур. БзаджащIэр ЛIыкIуэм къыщыкIэлъыщIэпхъуэм, Алыхьым Iэмыр ищIащ Мусэ и башымкIэ хым хэуэну. А Iэмырыр ЛIыкIуэм щигъэзащIэм, Алыхь IэмыркIэ хыр тIууэ зэгуэкIри, ЛIыкIуэм и Iумэтыр лъагъуэм тришащ. Фирхьэун и гугъэт хыр езым щхьэкIэ зэгуэкIауэ. АрщхьэкIэ, хым зызэхуищIыжри, Фирхьэуни и дзэри хым хитхьэлыхьащ. Ар къыщыхъуар IэшрыI махуэущ. Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым и Iумэтри Алыхьым къыщихъума махуэщ IэшрыIыр. А махуэм ЛIыкIуэ лъапIэм зауэшхуэ къращIылIэну щытати, джаурхэм я гум шынэ къызэрихьам ипкъ иткIэ, зауэр яублэфакъым. Хьисэ бегъымбарыр Алыхьым и деж щыдрихьеижари, IэшрыI махуэущ. Жэуап ттыну Алыхьым и пащхьэ дыщиувэжынури IэшрыI махуэущ. Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэр псори зэпкърыхауэ итщ дин щIэныгъэлI Iимам ас-Суюти и тхылъым. IэшрыI махуэм щхьэкIэ муслъымэнхэм нэщI щIаIыгъым и щхьэусыгъуэр абы и лъапIагъырщ. Зи къарур пэмылъэщхэм, мынэщIыфхэм а махуэм нэщIар хагъэщхьэжмэ, абыхэми псапэ лей хуатхынущ. Абы и щыхьэтщ мы хъыбарыр: Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым и зэманым IэшрыIым и пэ къихуэ махуэм лIыжь гуэр нэщIат. АрщхьэкIэ, зэрыкъулейсызым къыхэкIкIэ зэрыхэщхьэжын иIэтэкъым. Апхуэдэу щыхъум, ар кIуащ сату зыщIу бэзэрым тет зы муслъымэн лIы гуэрым и деж, щIыхуэу зы дыжьын динар къритыну елъэIуну. АрщхьэкIэ, къритакъым. Iуэхур зыIутыр зэхихащ абдеж гъунэгъуу сату щызыщI журт лIым. НэщI зэриIыгъым щхьэкIэ дыщэ динарипщI лIыжьым иритащ журтым. А жэщ дыдэм муслъымэныр епщIыхьащ, фIыгъуэр здэщыIэ жэнэтым дыхьэну щыхуежьэм, бжэр зэхуащIри къыжраIауэ: «Уэрат мы псэупIэр зыпэплъэр. Ауэ абы уэ упыкIащ. Мы псэупIэр зыпэплъэр уи гъунэгъуу сату щызыщI журтыращ». Муслъымэным и нэгу щIэкIа пщIыхьэпIэм щтэIэщтаблэ ищIауэ журтым и деж кIуэри елъэIуащ: «НэщI иса тхьэмыщкIэм епта сэдэкъэм къыпэкIуэ псапэр сэ къызэт, си гъащIэ псом зэхуэсхьэса мылъкур уэстынщ», — жиIэри. Журтым жэуап къитащ: «Алыхьым жимыIэкIэ сэ ныжэбэ слъэгъуа псэупIэр дуней мылъкукIэ къэсхъуэжыну! Сэ ныжэбэ слъэгъуа пщIыхьэпIэм иужькIэ ислъам диныр къэсщтащ!» ТIуми а зы пщIыхьэпIэр я нэгу щIэкIауэ арат. Аращи, умуслъымэн къудейкIэ жэнэтыр къыпхуэлэжьынукъым. Жэнэтым узыхьынур уи Iиманыращ, блэжь псапэращ. Мис апхуэдиз псапэ пылъщ IэшрыIым и пэ къихуэ махуэм нэщIыным. ПщIэну щхьэпэщ ЛIахэм уазэрыхуэлъэIуэн духьэ Алыхьу си Тхьэ! Уэ узэры-Закъуэм, уи лIыкIуэ Мухьэммэду щэлатымрэ сэламымрэ зэхам къихьар зэрыпэжым щыхьэт техъуахэм, ислъам диным тету дунейм ехыжа муслъымэн псоми, хъулъхугъэхэми бзылъхугъэхэми, я гуэныхьхэр къахуэгъэгъу; Алыхьу си Тхьэ! ЩIы ахэр я щыуагъэхэм япэIэщIэ, къухьэпIэр къуэкIыпIэм зэрыпэIэщIэм хуэдэу; Мункэррэ Нэкиррэ я упщIэхэм жэуап иратыфын хуэдэуи закъыщIэгъакъуэ, Хьэрш лъапIэм и тепщэ! Алыхьу си Тхьэ! ФIыуэ ялъагъуу яфIэкIуэдахэм я пIэкIэ уэ яхуэхъу абыхэм я псэм и щIасэ, зи нэIэ къатетын дэIэпыкъуэгъу, хъумакIуэ; фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъу абыхэм яхуэлъаIуэхэм я духьэхэр зэхэх, жэуап къет; уи гущIэгъум и зэфIэкIкIэ ялъыгъэс абыхэм ехъулIэгъуэрэ насыпрэ; Я Алыхь! Къих ахэр мащэ зэвми унэ хуитхэмрэ сэрейхэмрэ хьы; щидр банэншэхэм, пхъэщхьэмыщхьэм къришэх Iэпэзэкъуэтейхэм (банан къызыпыкIэ жыг), ныбжь укъуэдияхэм, псы ежэххэм япэгъунэгъу щIы; Алыхьу си Тхьэ, яхуэщI абыхэм я нэгухэр дахащэ, я Тхьэм Iуплъэным хуэпIащIэ; Алыхьу си Тхьэ! Къахуэгъэгъу абыхэм, яхудэчых, ящхьэщых! ЯхуэщI я екIуэлIапIэр махуэ, я щIыхьэпIэр хуит; я псэхэр псырэ уэс щIыIэмылкIэ яхуэгъэкъэбзэж; щыгъын хужьым бжьыгъэр зэрибгъэкIыжым хуэдэуи, я щыуагъэхэмрэ я гуэныхьхэмрэ якIэрыхыж; Я Алыхь, яхуэхъуэж абыхэм я унэр нэхъ унэфIкIэ, я Iыхьлыр нэхъ IыхьлыфIкIэ, я кхъэлъахэри нэр здынэплъысым хуэдизкIэ яхуэузэщI; яхуэщI я мащэр жэнэт хадэхэм яз; жыхьэнмэ мащэхэм яз, ди Тхьэ, яхуумыщI; я Iыхьлыхэм тэмакъкIыхьагъ къети, я гуауэр IэтыгъуафIэ ящыщI; Алыхьу си Тхьэ! КъахуэщIыж абыхэм дунейм щашэчам къыпэкIуэн тыгъэ, къащыщIа псори нэхъыфIкIэ яхуэхъуэж; Я Алыхь! ФIым хуэерыщу щытахэмэ, тхухэгъахъуэ абыхэми дэри ди фIым; Iейм хуэерыщу щытамэ, абыхэми дэри Iейуэ тIэщIэщIар къытхуэгъэгъу; Я Алыхь, я тхылъыр я Iэ ижьым къыIэщIегъэлъхьэж, я IуэхущIафэхэр хьисэп тыншкIэ къегъэпщытэж; яхуэщI ятелъ щIыр щабэ, жэуапым я нэхъыфIыр къаIурылъхьэ; я мащэр нэхурэ хуит, я хэщIапIэр махуэ яхуэщIи, жэнэтыр псэупIэрэ екIуэлIэжыпIэу къалъыгъэс. Я Алыхь, игъапсэ абыхэм я мащэм нэхурэ нуррэ; хуитыныгъэрэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщI; езыхэри шэхьид хъуарэ насыпыфIэу кхъэм щIэлъынухэм ящыщ щIы; дэри абыхэм дащыIубгъэщIэжкIэ гущIэгъу къытхуэщI. Уи гущIэгъум и хьэтыркIэ, уа дунейхэм я Тхьэ! Алыхьым и сэламыр къылъыус ди тепщэу Мухьэммэд, абы и Iыхьлымрэ и щэхьабэхэмрэ псоми. УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ — Хьэм и Iупсымрэ и бахъэмрэ андезыр якъутэрэ? — Ислъам диным къигъэув мардэхэмкIэ, хьэр пщIантIэхъумэу, е былымхэр ихъумэну зепхуэ хъунущ. Ауэ ар унэм щIэбгъэс хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, хьэм и Iупсыр нэджэсу (фIейуэ) ебж. Хьэм и Iупсыр зылъэIэса щыгъынри хьэкъущыкъури блэ тхьэщIыжын хуейщ. Апхуэдэхэр зэ птхьэщIкIэ нэджасэр кIэрыкIыркъым, блэ зэкIэлъыпыту тхьэщIыпхъэщ. Абы теухуауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Хьэм и Iупсыр зылъэIэса щыгъыныр е хьэкъущыкъур блэ тхьэщIын хуейщ, а блэм щыщу япэ тхьэщIыгъуэр е иужьрей тхьэщIыгъуэр щIыкIэ (ятIэкIэ) тхьэщIыпхъэщ». «ЩIыкIэ» щIыжиIэм и щхьэусыгъуэр зыщ: щIым микробыр еукI. Иджырей дохутыр щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, хьэм и шхалъэм маркуэ лIэужьыгъуэ (ленточный червь) жыхуиIэм хуэдэ ирещIэ. Ар, дауи, узыфэ зэрыцIалэщ. А маркуэ лIэужьыгъуэр хьэм къыпкърыкIыу, абы и Iупсыр зылъэIэса цIыхум пкърымыхьэнкIэ Iэмал иIэкъым. Зи гугъу тщIы маркуэ лIэужьыгъуэр лъым хэту Iэпкълъэпкъым къыщекIухь, ар щхьэ куцIми нос, аращи, узыфэ куэд къыхокI. — ЦIыхур къэжьа нэужь андезыр къутэрэ? — ЦIыхур езыр хуейуэ зыкъигъэжьмэ, андезыр мэкъутэ, ауэ, езыр хуэмейуэ къэжьакIэ къутэркъым. — Ахъшэ щIыхуэ птыным псапи гуэныхьи пылъу зэхыдох. Дауэ абы и Iуэхур зэрыщытыр? — Пэжщ. А Iуэхугъуэм жэнэтри жыхьэнмэри къуигъэлэжьыфынущ. ЩIыхуэ къэпщтэныр Алыхьым игъэхьэрэмакъым. ЦIыху гузавэм щIыхуэ ептрэ и гузэвэгъуэр дэбгъэкIмэ, абы къыпэкIуэну псапэр гъунапкъэншэщ. Абы теухуауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «ЦIыху гузавэм и гузэвэгъуэр щхьэщызыхым Къемэт махуэм гузэвэгъуэ илъагъунукъым». НэгъуэщI хьэдисым къыщыкIуащ Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм жиIауэ: «Си псэр зи IэмыщIэ илъ Алыхьым и цIэкIэ соIуэ щIыхуэ зытелъу дунейм ехыжам жэнэтыр имылъагъункIэ!». Мы хьэдисым и мыхьэнэр мыращ: ЩIыхуэ зытелъу дунейм ехыжар жэнэтым кIуэнукъым, ауэ щыхъукIи, ар итыжыну хущIэкъуу, хунэмысамэ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ. Апхуэдэхэм къахуэгъунущ. ЩIыхуэр итыжыфыну, ауэ къыфIэмыIуэхуу, «нобэ сотыж», «пщэдей сотыж» жиIэурэ IэщIыб зыщIращ зи гугъу ищIыр. Iэмал зэрыбгъуэту, псом япэ птыжын хуейщ щIыхуэ къэпщтар. Аращи, гузавэм щIыхуэ ептрэ и гузэвэгъуэр дэбгъэкIмэ, абы псапэшхуэ пылъщ, жэнэтри къуигъэлэжьынущ. КъищынэмыщIауэ, жыхьэнмэр къуигъэлэжьынущ щIыхуэр телъхьэ къыпэкIуэу птымэ (процент телъу жиIэу аращ), ар гуэныхьышхуэхэм ящыщщ. Абы теухуауэ Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «Нэхъ гуэныхь ин дыдэу 7-м защыфхъумэ». Абы еупщIахэщ: «Уа, ЛIыкIуэ лъапIэ, сыт хуэдэхэра?» Бегъымбарым жэуап къаритащ: «ТхьэнэпцIхэм яхуэпщылIыным, хьэпэщыпхэ щIыным, цIыху укIыным, проценткIэ ахъшэ щIыхуэ тыным, сабий зеиншэм и мылъкур яфIэшхыным, цIыхубзхэм якIэрымылъ якIэрылъхьэным, ебгъэрыкIуэныгъэ махуэм къикIуэтыным». КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ: «Ахъшэ телъхьэм къилэжьыр зышххэр Къемэт махуэм шейтIаным хуэдэу къэтэджыжынущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм жаIащ процентыр сатум хуэдэу. Ауэ Алыхьым сатур хьэлэл ищIащ, телъхьэ къыпэкIуэу ахъшэ тыныр игъэхьэрэмащ. Ахэр щIегъуэжрэ, тобэ къахьыжмэ, я гуэныхьыр къахуэгъунщ, ауэ къытрагъэзэжмэ, жыхьэнмэ мафIэр я шхыныгъуэнщ. Апхуэдэхэр мафIэ губжьам зэи къыхэкIынукъым. Процентыр Тхьэм егъэкIуэд, сэдэкъэр егъэбагъуэ. Алыхьым и нейр щыхуащ проценткIэ ахъшэ щIыхуэ зытхэм». Мэжджыт цIэрыIуэхэр Дунейм щынэхъ лъапIэу къалъытэ «Мэсджидуль нэбэуия» — аращ и фIэщыгъэр Сауд Хьэрыпым щыIэ Мединэ къалэм дэт, Бегъымбар лъапIэм и мэжджытым. Абы хыхьэ Унащхьэ удзыфэм и лъабжьэр Алыхьым и лIыкIуэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и кхъэлэгъунэщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, мэжджытыр езы Мухьэмэд бегъымбару щэлатымрэ сэламымрэ зэхам иухуащ. Мэжджытым и япэ ухуэныгъэр чыцIыбжьей (пальма) къудамэхэмкIэ щIэуфа, IущIыхь зыIут ухуэныгъэ къызэрыкIуэу щытащ, и кум КъурIэн лъапIэм щеджэ лъагапIэр къыщыхэгъэщауэ. Бегъымбар лъапIэм и кхъэлэгъунэмрэ ар хъутIбэ къыщеджэкIэ зытета лъагапIэмрэ я зэхуакум «Жэнэт хадэкIэ» йоджэ. Нобэрей мэжджытым и ухуэныгъэм и курыкупсэм хуозэ зи гугъу тщIы а щIыпIэ лъапIэр. ХьэжыщIхэми дунейм тет муслъымэн псоми абы нэхърэ нэхъ щIыпIэ лъапIэ дунейм темыту къалъытэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100156.txt" }
Дзэ-Куржы гъуэгу цIэрыIуэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тафэ лъэныкъуэмкIэ уикIыу ищхъэрэкIэ укъыщыхуэплъэкIэ, къуршыщхьэхэм кIэраупсея пкIэлъей абрагъуэм и теувапIэхэм ещхьу, зыр адрейм елъэгэкIыу къэлъагъуэ Мэзылъэ, ХъупIэ, Къырылъэ, Гуэдзэн шытххэр Осетие Ищхъэрэм и щIыналъэм, адрей хэгъэгухэм зэрыхуэбгъэдэн щымыIэу, гъунэгъу дыдэ щызэхуохъу, ауэ, абы къыдэкIуэуи, тыншу зэхыбоцIыхукI. Владикавказ километр 20 хуэдизкIэ укъыIукIмэ, Ингуш Республикэм и щIыгум гъунэгъу дыдэу убгъэдохьэ. А лъэныкъуэмкIэ щыIэ бгыхэр зи къежьапIэ Армхи, езым я щIыналъэмкIэ щезыгъэзых къуршыпс уэр нэхъыщхьэу Ассэ зи фIэщыгъэм хэмылъэдэжу, ТэрчкIэ зыкъегъазэ. Арагъэнущ Дарьял къуэладжэм Ингушымрэ Осетиемрэ я щIы кIапэхэр щIыщызэпыхьэри. Къырылъэ шытхыр тIуащIэ лъащIэм лъагэу щыщхьэщыувэ щIыпIэм дызэрикIыу Джейрах лъапэрытым дихьащ. Абдежращ Осетием и жылагъуэ нэхъ пасэу тIысахэм хабжэ Чми къуажэ цIыкIур зэрысыр. Абы и Iэгъуэблагъэм кхъэлъахэжь-чэщанэжьхэр щыкуэдщ. … Километр 12 фIэкIа зи мыкIыхьагъ Дарьял къуэладжэм и нэхъ зэвыпIэ дыдэу «къущхьэ жьанэкIэ» узэджэнур Гуэдзэн шытхыр Тэрч и тIуащIэм «щыщхьэпрыбэкъукI» дыдэм ирохьэлIэ. А щIыпIэм дежщ Кавказым и къурш нэхъ дахэ дыдэхэм хабжэ Казбек, уафэгум итым хуэдэу, уардэу къыщыщхьэщылыдыкIыр. Абы адыгэхэр пасэ зэманым СонэбгкIи, Iуащхьэмахуэ ЦIыкIукIи еджэу щытащ. АдэкIэ къуэм удэту тIэкIу удэкIуэтеижмэ, Урысей Федерацэм и Ларс Ипщэ постым ухуэзэнущ. Ар Дарьял жьанэм и дыхьэпIэ дыдэм деж Iутщ. КъэралитIым я гъунапкъэр хуозэ Ларс Ипщэ постымрэ Куржым и щIыналъэм хыхьэ Степанцминда (жьымкIэ Казбеги) къуажэмрэ я зэхуакум. Дзэ-Куржы гъуэгур здыпхрыкI кIейр къызэрымыкIуэу дахэщ, зыкъызэрызэкъуих и лъэныкъуэкIи телъыджащэщ. Ар щыпхрашар ижь-ижьыж лъандэрэ чэруанакIуэхэр зэрызекIуэу щыта лъагъуэжьымкIэщ. Абы щхьэкIэ осетинхэм «Арвыком» е «Дайраны ком» жаIэ, шэшэнхэм — «Дарий ял», мышкъышхэм (ингушхэм) — «Дярей ол» фIэщыгъэхэрщ нэхъ къагъэсэбэпыр («Дарий гъуэгу» — «Шёлковый путь» мыхьэнэр къикIыу), языныкъуэхэми «Жор (Крестовэ) щхьэдэхыпIэ», «Гъудаур (Гудаурский) сэнтх» фIэщыгъэхэр нэхъ яфIэкъабылщ. Гу зылъытапхъэр аращи, зи гугъу тщIы гъуэгум, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм щхьэдэхыу Куржым и щыхьэрым хуэкIуэм, псори зэхэту километр 208-рэ и кIыхьагъщ. Владикавказ укъыдиша иужькIэ, Тэрч къыздежэхымкIэ егъазэри, Дарьял къущхьэ жьанэм дохьэ, Гуэдзэн шытхыр зэпеупщIри, Тэрч хэхуэж Байдаркэ псы цIыкIум бгъуроувэ, адэкIэ тIэкIу мэкIуатэри, 1824 гъэм къыщыщIэдзауэ «Жор (Крестовэ) щхьэдэхыпIэ» цIэр зезыхьэ, метр 2384-рэ зи лъагагъ Гъудаур сэнтхым йохьэ. Зэ еплъыгъуэкIэ мыбдежыр къурш щхьэдэхыпIэу зэрыпщIэн мы дунейм теткъым, лъагапIэхэр апхуэдизкIэ щызэпэжыжьэщ, щызэлъыIукIуэтащи. Абы къыдэкIуэуи, сэнтхыщхьэр сэтей зэфэзэщщ, тафэщ, мыбдежым къыщыщIэж псы къуэпсхэм ящыщу ищхъэрэкIэ езыгъэзыххэри ипщэкIэ езыIуэнтIэкIхэри зэуэ зэхэбгъэкIыну яужь уихьакIэ къомыхъулIэнри хэлъщ, абы щыгъуэми, машинэ псынщIэм уису уздэжэм. АтIэми, КъущхьэщIыб КавказымкIэ щежэх Арагви Хужь хэлъэдэж псы къуэпсхэм ящыщ зым сэтей щыгур и къежьапIэщ. АдэкIэ гъуэгур, къуршылъэ жьэгъухэм щIэлъадэ-къыщIэкIыжурэ, зыкъомрэ зыкъыщигъэза иужькIэ, хуэм-хуэмурэ губгъуэшхуэм йохьэ, Мтквари (Кура) псышхуэм и Iуфэм Iуохьэ икIи, ар зэпиупщIа иужькIэ, ижьырабгъу лъэныкъуэр и гъуазэу, Куржым и къалащхьэм, «хуэщхьэхынафэ» щIыкIэу, дохьэ… Тхыдэм щыщу ЩIыпIэ дахэу зэрыщытым нэмыщI, Тэрч и тIуащIэр тхыдэ щIэинхэмкIи къулейщ. Псалъэм папщIэ, зэвыпIэм километр нэблагъэкIэ узэрыфIэкIыу, метр 60 хуэдизынкIэ гъуэгум щхьэщыIэтыкIауэ, къыр лъагэм и щхьэм тету щыболъагъу пасэ зэманым псэуа Куржы пащтыхь гуащэ Тамарэ и быдапIэу щыта ухуэныгъэ телъыджэр. Пасэ зэманым псэуа тхыдэтххэм Дарьял жьанэм и гугъу щащIкIэ, «Сармат куэбжэ» («Sarmat?ĭcae Portae»), «Кавказым и куэбжэ», «Аланхэм я куэбжэ» цIэхэрат къагъэсэбэпыр. Иужьрей фIэщыгъэр дунейм къыщытехьар курыт лIэщIыгъуэхэм я пэщIэдзэрщ. Абдежырщ Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и зэпрыкIыпIэ нэхъ уардэм икIи цIэрыIуэм аланхэр тепщэу щыщытар. Куржы дыхьэпIэр зэгуэр адыгэхэми я IэмыщIэ илъащ. Абы щыхьэт техъуэ тхыгъэ зыбжанэ иужьрей зэманым дунейм къытехьэжащ. А псом я гугъу иджыпсту дымыщIми, ящыщ зым кIэщIу дыкъытеувыIэнщ. Ар XVI лIэщIыгъуэм и кIэхэм Кавказым къыхуеплъэкIын щIэзыдзауэ щыта урыс дзэпщхэм къагъэна тхыгъэщ. АтIэ, мис абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, а лъэхъэнэ жыжьэм Дарьял дэкIыпIэм и тепщэу щытар Къэбэрдейм и пщышхуэхэу Талъостэн Щолэхъурэ Джылъахъстэн Алъхъэсрэщ. КъыкIэлъыкIуа лIэщIыгъуэхэми Къэбэрдейм и лъэщагъым хэщIакъым, хэхъуа фIэкIа. Апхуэдэу, 1753 гъэм Тифлис къытеуауэ щыта къэжэрхэм япэщIэува дзэр зи унафэ щIэтар Мысостхэ къатепщIыкIыжа Къарэмырзэ Кургъуокъуэщ. Абы дэщIыгъуахэщ пщыхэу Талъостэн Къазий-рэ Джылъахъстэн Къанщокъуэрэ… ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100159.txt" }
Шапсыгъ зекIуэр и кIэм ноблагъэ Хы Iуфэм Iус Шапсыгъ щIыналъэм зыщызыубгъуа адыгэ къуажэ 12-р зэлъагъэIэсын мурадкIэ бадзэуэгъуэм и 21-м гъуэгу техьа Шу зекIуэр и кIэм нэблэгъащ. Хы ФIыцIэм и Iуфэм Iус шапсыгъ къуажэ зыбжанэм язщ бадзэуэгъуэм и 20-м, Къурмэн хьид махуэшхуэм ирихьэлIэу, Шапсыгъ зекIуэм хэтыну щIалэхэр щызэхуэса ШахэкIей ЦIыкIур. Дунейм ехыжахэм пщIэ лей щалъыс махуэ лъапIэхэм кхъэлъахэ къудей зымыгъуэтыжа, хы ФIыцIэмрэ абы и Iуфэмрэ гъеижыпIэу къытхуэзыгъэна тхьэмыщкIэхэм я хьэтырырт езышэжьар мыгъэрей «Шагъдий вагъуэбэр». БлэкIам хуэфэщэн гулъытэ езытырщ нобэм и Iэмалхэр зыIэщIэмыкIыр. Iэуэлъауи зэрыгъэкIии хэмыту, зэгурыIуэ, зэпIэзэрытыгъэ, бэшэчагъ хэлъу лъэпкъ Iуэху зэрыпхузехьэнум и щапхъэ хъуащ мы махуэхэм дэнэ лъэныкъуэкIи къиплъ адыгэгур зыIэта Шапсыгъ зекIуэр. Тхыдэм къыхэувыкIа нэхъей, гъэмахуэ шылэм зэрежьэм щхьэкIэ къэмынэу, фащэ-щIакIуэкIэ узэдарэ я шу пашэр (Гуэщокъуэ Абдул-Бакъий) пщIэгъуалэм тесу гъуэгу техьахэт щымыIэжу жыхуаIа адыгэлIхэр. Япэ сатырхэм дыщэпскIэ къэдыхьа адыгэ ныпымрэ Шу хасэм и ныпымрэ зыIыгъ щIалэхэр хэтщ. Абыхэм къакIэлъокIуэ Шапсыгъ нып дэбзыкIар. Гупым зыщуплъыхьмэ, зи лъэпкъ бэракъыр зыIэщIэлъ абазэ щIалэхэми гу ялъыботэ. «Абазэу цIыхуиплI дыхэтщ мы зекIуэм, — гуфIэр и нэгум кърихыу мэпсалъэ КъШР-м щыщ Къубинэ къуажэм щыщ Лъагъуч Ислъам. — Гъуэгуанэм тыншкIэ уеджэнкъым: гъуэгур мывалъэщ, задэщ, цIыхури шыри хигъэзыхьу апхуэдэщ. Ауэ хэт абы щхьэкIэ къикIуэтынур?». Шухэр япэу зыдыхьа Тхьэгъэпщ къуажэр Сочэ пэгъунэгъущ. ЗэрыжаIэмкIэ, абы нобэми дэтщ Урыс-Кавказ зауэр зылъэгъуа мэжджытыжьыр. ШахэкIей ЦIыкIурэ Тхьэгъэпщрэ я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэр зыхуэдэм щыгъуазэ дещI Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа щIалэхэм яз Iэщыж Залымхъан. «Нобэ бгылъэ защIэу километр 65-рэ зэпытчыну къытпэщылъщ», — щыжеIэ щIалэм Адыгэ Республикэм и телевиденэм ирита интервью кIэщIым. Псори зэхэту километри 150-м щIигъу якIуну я мурадщ. Тхьэгъэпщ къыкIэлъыкIуащ зекIуэлIхэм жэщ щраха Хьэджыкъуэ къуажэр. ЦIыкIуи ини уэрамым къызэрыдэхауэ, тIурытI-щырыщу зэбгъурыту къуажэ уэрам зэвым ирикIуэ шухэм хьэджыкъуэдэсхэр гуапэу къапежьа къудейкъым, я зэхуэзэр нэхъ гукъинэж хъун папщIэ, Iэнэ берычэтхэр хуаузэда нэужь, къафэ-уэрэдхэмкIэ я нэгу зрагъэужьащ. ЗекIуэлIхэр Хьэджыкъуэ къыщыдэкIыжа пщэдджыжь нэхущым къыщIэзыдза уэлбанэшхуэм наIуэ къищIащ шу ахъырзэманхэм я щIакIуэхэр лейуэ къызэрыздамыщтар. «Мы щIалэхэр къэзыгъэувыIэн дунейм теткъым, — видео кIэщIхэр здытрихым, гушхуэныгъэ хэлъу жеIэ адыгэшыр щыхъей щIыпIэ псоми и лъэр нэзыхьэс блогер щIалэ, «Рихьэние» инстаграм напэкIуэцIыр Шапсыгъ зекIуэм и япэ канал тхуэзыщIа КIуэкIуэ Мурат. — Я щIакIуэхэр зэрапхъуэкIри, щхьэрыхъуэнхэр зыфIалъхьэжауэ, абыхэм я гъуэгуанэм пащэ. Ныщхьэбэ щIалэхэр щепсыхынущ Нэжьыгу къуажэм». Ещанэ махуэм зекIуэлIхэр Псыущхъуэ ЦIыкIу и губгъуэ хуитым щыдолъагъу: шыхэм загъэпсэху, нэхъыщIэхэм абыхэм ирагъэшхын мэкъумылэ зэрахьэ, абыхэм нэхърэ нэхъ цIыкIужхэм лъэпкъ ныпыр яIыгъыу сурэт зытрагъэх. АдэкIэ гъуэгуанэр Псыущхъуэшхуэ йокIуалIэ. Иужьрей епсыхыгъуэр Псэбэ къуажэрт. Дэтхэнэ зы жылэми зекIуэлIхэр Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэм щыбгъэдохьэ. Сыт ягъэ кIырэ Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я гъусэу абы къелахэм я хуитыныгъэм щIэбэнахэри уигу къэбгъэкIыжкIэ? ЗекIуэм щекIуэкIыр къэпщIэн папщIэ, абы ухэтын хуейуэ къыщIэкIынщ. Тыншщ, дэ дэщхьу, шэнтжьейм уисрэ телефоныр теппIытIэу уи хэкур фIыуэ плъагъуну. «Адыгэр зэрыщытар мыпхуэдэущ» щыжаIэ зэдауэхэм захэпIэтыкIыу, уи нэгу щIэт сурэтыр нахуапIэ пщIын папщIэ, а лъагъуныгъэм акъыл, лIыгъэ, жанагъ, фIэщхъуныгъэ дэщIыгъун хуейщ. Уи адэжьхэм ялъ зыщIэзыфа щIы кIапэм, я хьэдэ къупщхьэ зыгъэныщкIуа хы толъкъунхэм уи щхьэ яхуэбгъэщхъыным утегушхуэфын папщIэ, узыхуэныкъуэр узыншагъэ къудейкъым. Утыку итыпхъэщ Iуэху зехьэкIэ зыщIэ нэхъыжьрэ дэIуэкIэ зыщIэ нэхъыщIэрэ. Зи гугъу тщIы Шапсыгъ зекIуэм хэтахэм апхуэдэхэри зэрыдиIэр ди фIэщ ищIащ. Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100163.txt" }
ЩыIэщ япэ дыщэхэр Токио къыщызэIуаха XXXII Гъэмахуэ Олимп джэгухэм Урысейм и олимп спортсменхэм — «Russian Olympic Committee» — (ROС) япэ медалхэр къыщахьащ. Абыхэм ящыщу 4-р дыщэщ. Храмцов Максим Ди гимнастхэр псоми ятекIуащ. Поздняковэ Софие Щэбэтым, бадзэуэгъуэм и 24-м, медалхэм щIэбэнын щIадзащ. Пневматикэ фочыр гъэуэнымкIэ зэхьэзэхуэм Галашинэ Анастасие гъунэ щрилъащ. Абы къытхуихьащ дыжьын медалыр. Тхэквондоми къыщыхэжаныкIащ ди хэкуэгъухэр. Килограмм 58-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ увыпIэр щиубыдащ Артамонов Михаил. Япэ олимп чемпионыгъэр Японием къыщытхуэзыхьар Бацарашкинэ Виталинэщ. Зэхьэзэхуэм и етIуанэ махуэм пневматикэ кIэрахъуэмкIэ зэпеуэм ар щытекIуащ. КъищынэмыщIауэ, дыжьын медалу 3-рэ домбеякъыу 1-рэ ди щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зыIэрагъэхьащ. Апхуэдэу я насып къикIащ цIыхубзхэм шабзэр гъэуэнымкIэ гуп зэпеуэм хэтахэу Перовэ Ксение, Осиповэ, Еленэ, Гамбоевэ Светланэ сымэ, фехтованием хэта Дериглазовэ Иннэ, тхэквондом щызэуа Мининэ Татьянэ. Домбеякъ медалыр къихьащ Коробейниковэ Ларисэ. Блыщхьэм аргуэру ды-щэ медалищ Урысейм и олимп спортсменхэм къахьащ. ФехтованиемкIэ цIыхубзхэм я зэпеуэм и финалым щызэпэщIэува ди хэкуэгъухэу Поздняковэ Софиерэ Великая Софьерэ олимп чемпионыгъэм хуабжьу иризэныкъуэкъуащ. Абыхэм я зэпэщIэтыныгъэм сыт хуэдэ зэхьэзэхуэри игъэдэхэфынут. Софие дыщэр Iэрыхьащ, Софье дыжьынымкIэ арэзы хъуащ. А махуэ дыдэм Олимпым и щыгум нэсащ спорт гимнастикэмкIэ цIыхухъухэм я гуп зэпеуэм щы-текIуахэу Нагорный Никитэ, Далалоян Артур, Аблязин Денис, Белявский Давид сымэ зыхэта ди командэ къыхэхар. Дыщэ медалыр къихьащ тхэквондомкIэ килограмм 80-м нэс зи хьэлъагъ цIыхухъухэм я зэпеуэм щытекIуа Храмцов Максим. Ди къэралым а спорт лIэужьыгъуэмкIэ ар апхуэдэ и япэ ехъулIэныгъэшхуэщ. Метри 10 зи лъагагъым къелъэу цIыхухъухэр псым щыхэлъэм Бондарь Александррэ Минибаев Викторрэ ещанэ хъуащ. Арати, бадзэуэгъуэм и 26-м ирихьэлIэу медаль зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ ди спортсменхэм Токио щызыIэрагъэхьащ. АдэкIи нэхъыбэжкIэ дащогугъ. Официальнэу щымыт гуп зэпеуэм бжьыпэр щаубыдащ хэгъэрейхэм. Абыхэм дыщэ медалу 8 зыIэрагъэхьащ. Зы закъуэщ Японием и спортсменхэм къазэрыкIэрыхур Америкэм и Штат Зэгуэтхэр. Олимп чемпиону 6 яIэ хъуащ Китайм къикIахэм. Дыгъуасэрей ехъулIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ Урысейм и олимп спортсменхэр еплIанэ увыпIэм нэс дэкIуэтеящ. Къаудыгъу Заур.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100170.txt" }
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыгъуазэ зищIащ Шэрэдж щIыналъэм узыншагъэр хъумэным епха и IуэхущIапIэхэр зэрызэрагъэпэщыжым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэбэт кIуам къипщытащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и IуэхущIапIэхэу цIыхухэм псом япэу зызыхуагъазэхэр зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэм хыхьэу Шэрэдж щIыналъэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зыхуэдэр. Абы щIыгъуу ухуэныгъэхэр зэрекIуэкIым еплъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ Шэрэдж муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Муртазов Борисрэ. КIуэкIуэ Казбек щыIащ щIыналъэ сымаджэщ нэхъыщхьэм и поликлиникэ къудамэм. Поликлиникэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт щIыналъэм щыпсэу цIыху мин 28-м. Унэр 1990 гъэм ятауэ щытащ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ миниплIым щIегъу. Абы и кIуэцIыр зехьэн, инженер коммуникацэхэр зэхъуэкIын хуейщ. Мы ухуэныгъэр сыт и лъэныкъуэкIи къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным къэрал бюджетым щыщу къыхуаутIыпщащ сом мелуан 43,3-рэ. УхуакIуэхэм унащхьэр зэрахъуэкIащ икIи пэш кIуэцIхэр къищIыкIыным яужь ихьащ. Лэжьы- гъэ псори 2022 гъэм къриубыдэу зэфIагъэкIыну я мурадщ. Узыншагъэр хъумэн IэнатIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа программэм хыхьэу Аушыджэр къуажэм амбулаторэщIэ щаухуэ. КIуэкIуэ Казбек щепсалъэм медицинэ лэжьакIуэхэм къыхагъэщащ къуажэр амбулаторэщIэ куэд щIауэ зэрыхуэныкъуэр икIи цIыхухэм зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэм апхуэдэ лъэIукIэ мызэ-мытIэу зэрызыхуагъэзар. IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэхэр щегъэкIуэкIыным хуэгъэпса программэм зэрыхагъэхьэфам и фIыгъэкIэ иджы амбулаторэщIэ яIэнущ. Къуажэм цIыху минитхум нэблагъэ щопсэу, 1939 гъэм яухуа унэжьыр цIыкIут, медицинэ хуэIухуэщIэхэр тэмэму щызэфIэгъэкIынми хуэщIатэкъым. КIуэкIуэ Казбек жиIащ амбулаторэр ухуэным къэрал мылъкум щыщу сом мелуан тхущI хуэдиз зэрыхухахар, лэжьыгъэхэр 2022 гъэм зэфIагъэкIыну я мурадщ. Иджы ящI унэр яIам нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъ инщ — метр зэбгъузэнатIэ 586-рэ мэхъу. УхуакIуэхэм блынхэр дэщIеиныр яух, мыгувэу яужь ихьэнущ унащхьэр телъхьэным. Республикэм и Iэтащхьэм къалэн ящищIащ амбулаторэр щаухуэ уэрамдэкIри зэIузэпэщ ящIыну. Узыншагъэ IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэхэр щегъэкIуэкIыным теухуа программэм хыхьэу, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир пщэрылъ къазэрыщищIам ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым 2025 гъэ пщIондэ объектыщIэу 13 щаухуэну я мурадщ. Зэрагъэпэщыжынущ Налшык къалэ дэт Сабий поликлиникэмрэ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм и етIуанэ поликлиникэ къудамэмрэ. Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм хыхьэ ухуэныгъэ 25-рэ къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. Мы зэманым и кIэм нэблэгъащ Налшык Хмельницкэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет поликлиникэм и унэр сыткIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыныр. Илъэсым и кIэ пщIондэ апхуэдэ лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIынущ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и амбулаторэмрэ Май щIыналъэм и сымаджэщ нэхъыщхьэм и сабий поликлиникэмрэ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100176.txt" }
Зи улахуэр бюджетым къыхэкIыу зратхэм я лэжьапщIэм щыхагъэхъуэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным теухуа Iуэхухэм щыхэплъа зэIущIэ. Зи улахуэр бюджетым къыхэкIыу зратхэм я лэжьапщIэм хэгъэхъуэным теухуа къалэныр, Урысейм и Президент Путин Владимир пщэрылъ къызэрыщищIам тету, щIыналъэм и Iэтащхьэм къыщигъэувауэ щытащ дызэрыт илъэсым и накъыгъэм КъБР-м и Парламентым Зэрызыхуигъэзам. ЗэIущIэр къыщызэIуихым КIуэкIуэ Казбек жиIащ: «ЦIыхухэм я улахуэхэр, я хэхъуэхэр нэхъыбэ щIыныр ди республикэм дежкIэ нэхъ къалэн гугъухэм ящыщу къонэж. Инфляцэр кIуэ пэтми зэрыдэкIуейм а Iуэхум и мыхьэнэм нэхъри хегъахъуэ». Iэтащхьэм къыхигъэщащ нобэ республикэм и бюджет IэнатIэм цIыху мин 46-м щIигъу зэрыпэрытыр — ахэр социальнэ лэжьакIуэхэщ, егъэджэныгъэ, узыншагъэр хъумэн IуэхущIапIэхэм, щэнхабзэмрэ спортымрэ епхахэщ. Iэтащхьэм зэIущIэм унафэ щищIащ бюджет IэнатIэм и IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я улахуэхэм хэгъэхъуэным теухуауэ. Лисун Еленэ жиIащ щэнхабзэ, егъэджэныгъэ, спорт, социальнэ IэнатIэхэм щылажьэ кIэзонэ, бюджет, автономнэ къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэм процентипщI 2021 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыщыщIэдзауэ зэрыхущIагъунур. Абы къыдэкIуэу, КъБР-м и Iэтащхьэм пщэрылъ зэращищIам ипкъ иткIэ, спорт гъэсакIуэхэм я лэжьапщIэр сом 26000-м нагъэсащ, гъэсакIуэхэм я лэжьапщIэр ику иту сом мин 17 — 18 фIэкIа мы зэманым зэрымыхъум къыхэкIыу. Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьакIуэхэми я улахуэхэр апхуэдиз дыдэкIэ къэIэтыным теухуа Iуэхум щыхэплъэнущ муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я администрацэхэм. Апхуэдэуи я улахуэхэм процентипщIкIэ хухагъэхъуэнущ къэрал къулыкъущIэхэмрэ къэрал властым и органхэм я лэжьакIуэхэу къэрал граждан къулыкъум химыубыдэхэмрэ. Дэфтэрыр яхуэгъэзакъым къэрал къулыкъу зыIыгъхэм, абыхэм республикэм и Iэтащхьэри, КъБР-м и Парламентым и депутатхэри, къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я унафэщIхэри (КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIыр, абы и къуэдзэхэр, министрхэр) яхэту. Лисун Еленэ къыхигъэщащ дызэрыт илъэсым цIыхухэм я лэжьапщIэхэм хэгъэхъуэным трагъэкIуэдэну сом мелуан 500-м щIигъу бюджетым зэрыщыхуха-хар. Ахъшэр налогхэм, налогыу щымыт хэхъуэхэм, апхуэдэуи къэрал бюджетым щыщу республикэ бюджетыр зэтегъэпсыхьауэ щытыным трагъэкIуэдэн папщIэ къыхуаутIыпщахэр къыхуагъэсэбэпынущ. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ бюджет IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэм хагъэхъуэныр щIахузэфIэкIар республикэм иужьрей илъэситIым коммерцэ щIыхуэхэр зэрызытригъэкIыжам зэрифIыгъэр, а ахъшэхэр къызэрагъэсэбэпам пэкIуэу, хабзэм тету мылъкушхуэ щхьэщатыкIырт. Абы и мызакъуэу, республикэм 2020 гъэм езым и хэхъуэхэри нэхъыбэ зэрищIыфам къыпэкIуащ. КIуэтэхукIэ лэжьапщIэм хэгъэхъуэныр илъэсищ пIалъэм тещIыхьауэ ирагъэкIуэкIынущ. 2022, 2023 гъэхэм а Iуэхум хухахыну я мурадщ, индексацэ зэращIынури къыхэлъытауэ, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу сом мелард 1,2-рэ, сом мелард 1,5-рэ. Республикэм и УнафэщIым къыхигъэщащ бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм хуэм-хуэмурэ хэгъэхъуэныр зэрызэтраухуэфар финанс, экономикэ щытыкIэр тэмэму зэрызэпкърахымрэ псори зэпэлъытауэ унафэ къызэращтэмрэ зэрафIыгъэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм и кIэм гулъытэ хэха хуищIащ а унэтIыныгъэм адэкIи елэжьыныр республикэм япэ иригъэщ къалэнхэм зэращыщыр икIи абы зэрыпащэнур. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къуныжь МуIэед, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100179.txt" }
КхъуейплъыжькIэрыщIэр къегъэщIэрэщIэж Сабий къэхъуам цIэ фIаща нэужь къыкIэлъыкIуэ нэгузыужь дахэу щыта кхъуейплъыжькIэрыщIэр Iэпэдэгъэлэл ящIа ди хабзэ дахэхэм ящыщщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къадэкIуэу, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэми щIэупщIэ щызиIэ мы хабзэр илъэсиплI хъуауэ къегъэщIэрэщIэж журналист, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр езыгъэкIуэкI джэгуакIуэ Джэдгъэф Беслъэн. КхъуейплъыжькIэрыщIэ пасэрей хабзэр нэхъапэм зэрырагъэкIуэкIыу щыта дыдэм хуэдэу мыхъуми, ар ди нобэм нэхъ къызэрезэгъым хуэдэу къызэрегъэпэщ Беслъэн. Абы и лъэныкъуэкIэ тхыдэр и тегъэщIапIэщ. НэхъыжьыфIхэм я чэнджэщхэр, архив дэфтэрхэм щыхъума хъуа нэтынхэри къыхуощхьэпэ. Iуэху дахэр жылагъуэм къаригъэщтэжын щхьэкIэ, Джэдгъэфыр къалэ, къуажэ администрацэхэм ягурыIуэурэ я гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм ирихьэлIэу кхъуейплъыжькIэрыщIэ яхуищIащ, ар зэрекIуэкIыу щытар къаригъэщIэжын папщIэ. Адыгэм къыдекIуэкIыу щыта Iуэхум жэуаплыныгъэ пылъу бгъэдыхьэ ди лэжьэгъум псом япэу шынагъуэншагъэм хуэфащэ гулъытэ хуещI. — Нэхъ мащIэрэ къызэрагъэпэщ, нэхъ дэхуэха хъуа Iуэхугъуэхэм ящыщ кхъуейплъыжькIэрыщIэм хэлъ дахагъэм дихьэххэр мащIэкъым, — жеIэ Беслъэн. — Абы и ужь сыщихьам гу лъыстащ а Iуэхугъуэм ди зэманым къигъэувхэр къэплъытэу зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн зэрыхуейм. Беслъэн кърихьэжьа Iуэхур зэрыдахэм къинэмыщIауэ, гуапэщ ди нэхъыжьхэм я фэеплъу къытхуэнахэм ящыщщи. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100183.txt" }
Балъкъ Iуфэ щытекIуа «Тэрчыр» япэ йощ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым бжьыпэр щиубыдащ тхьэмахуэ блэкIам тIэунейрэ зи хьэрхуэрэгъухэр хэзыгъэщIа «Тэрчым». ЯпэщIыкIэ джылахъстэнейдэсхэр Балъкъ Iуфэ бжыгъэшхуэкIэ щытекIуащ щIыпIэ «Малка»-м. Ар ягъэIэпхъуауэ щыта зэIущIэхэм ящыщ зыт. КъыкIэлъыкIуэу, бадзэуэгъуэм и 25-м, Налшык щыIэу, «Тэрчыр» ефIэкIащ «Спартак-Д»-м. ЕтIуанэ увыпIэм иджы къекIуэтэха «Родник»-м мыгувэу бжьыпэр зыIэригъэхьэжыфынущ. Абы папщIэ Псынэдахэ и командэри ягъэIэпхъуа зэIущIэм щытекIуэн хуейуэ аращ. Аргуэрыжьти, Нарткъалэ и «Нартым» дэщIхэм я гур хьэлъэу хэщIащ. Ар иджыри, епщыкIузанэу зэкIэлъхьэужьу, къыхагъэщIа къудейкъым, атIэ бжыгъэшхуэ дыдэкIэ фIахьащ. Нэхъапэм 1:8, 1:9, 1:10-уэ щыIамэ, иджы Iуэхур 1:12-м нэсащ. Пэжщ, абы къефIэкIар республикэм и нэгъабэрей чемпионращ. АрщхьэкIэ зыщыдгъэгъупщэнкъым Прохладнэ и «Энергетик»-р Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионатым къищынэмыщIауэ, кубокми зэрыщIэбэныр, Урысей Федерацэм и ещанэ дивизионми щыпашэхэм зэращыщыр. И къехуэхыныгъэр къызэтеувыIащ «Ислъэмейм». ЗэкIэлъхьэужьу щэ къыхагъэщIа иужькIэ, абы и губжьыр трикъутащ Старэ Шэрэдж къуажэм къикIахэм, жэуапыншэу топитху я гъуэм яхудигъэкIри. Иджы щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм: «Родник» (Псынэдахэ) — «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) — 3:0, «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) — «Малка» (Малкэ) — 2:2, «Шэрэдж» (Старэ Шэрэдж) — «Шэрджэс» (Шэджэм) — 4:4, «Энергетик» (Прохладнэ) — «Нарт» (Нарткъалэ) — 12:1, «Кэнжэ» (Кэнжэ) — «Урыху» (Урыху) — 3:3, «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — «Эльбрус» (Тырныауз) — 3:3, «Ислъэмей» (Ислъэмей) — «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — 5:0, «Спартак-Д» (Налшык) — «Тэрч» (Тэрч) — 0:4. Зи чэзу джэгугъуэм дызыхуэкIуэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ щызэIущIэнущ: бадзэуэгъуэм и 31-м — «Эльбрус» — «Ислъэмей», «Спартак-Д» — «Шэрджэс», «Шэджэм-2» — «Псыгуэнсу», «Кэнжэ» — «Родник»; шыщхьэуIум и 1-м — «Урыху» — «Нарт», «Тэрч» — «Энергетик», «Малка» — «Шэрэдж», «ХьэтIохъущыкъуей» — «ЛогоВАЗ» командэхэр. Хьэтау Ислъам.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100187.txt" }
Андемыркъан и лIыхъужь хъыбархэм щIапIыкIа цIыхубэ усакIуэ Бицу Анатолэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу ДифI догъэлъапIэ Зэманым зихъуэжми, псэм зихъуэж хъунукъым Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Бицу Анатолэ и ныбжьыр бадзэуэгъуэм и 26-м илъэс 75-рэ ирикъуащ. Къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу дэ абы зыхуэдгъэзащ, икIи упщIэ зыбжанэм жэуап иредгъэтащ. — Толэ, уи ныбжьыр здынэса лъагапIэм укъеплъыхыу уи сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ нэхъ гукъинэж пщыхъуахэм, зыми хыумылъхьэу плъагъу уи къуажэми я гугъу ди газетым еджэхэм къахуэпщIамэ ди гуапэт. — Зы цIыху балигъ щыIэу къыщIэкIынкъым зи сабиигъуэр щIэх-щIэхыурэ зигу къэмыкIыж, зи пщIыхьхэм пакIэ-пакIэурэ ар къыхэмыхьэж, зэми, пIэм зыдыхэлъым, и Iупэр зэтежу къигъэгуфIэу, зэми, и дзэхэр зэтрикъузэу къыхигъэIуэщхъукIыу… Сабиигъуэр ар зы дуней псо мэхъу, сыт хуэдэу щытами, бетэмал, абы зэ сыкъихутэжарэт, жыдигъэIэу. ЩIыжыуигъэIэр, сыт хуэдиз дыджагъ хэлъами, абы нэхъ зэман IэфIрэ дахэрэ уиIэкъым икIи зэи уиIэнукъыми аращ. Ухуейми, илъэсищэкIэ псэу! Сэ си сабиигъуэр зыхиубыдар зауэ нэужь лъэхъэнэрщ. Хэку зауэшхуэр иухри, илъэс дэкIыжауэщ сыкъыщалъхуар. А лъэхъэнэм халъхуахэр псори дынасыпыфIэщ зауэ-банэ тлъэгъуакъыми, дуней мамыр дыкъытехьауэ нобэр къыздэсым дытетщи. Аращ куэдрэ си нэгу къыщIэувэж си сабиигъуэр насыпыфIэу щытауэ щIыжысIэр. Сигу къинэжащ, куэдрэ сопщIыхьыж а зэман дахэм — хьэблэ щIалэ цIыкIухэр дызэрызехьэу, лъапэкIэ хьэфэ топ къетхуэкIыу ди Шэрэдж псыхъуэ дызэрыдэтар, езы Шэрэджыжь уэр дызэпырысыкI-дыкъызэпырысыкIыжу, зыдгъэпскIыу дызэрыхэсар, ди Аушыджэр жьэгъу джабэ нэкIу щхъуантIэм мэракIуэ къыщытщыпрэ чыпылъэкIэ къэтхьыу зэрыщытар… Куэд, куэд IэфIу къокIыж гум. Апхуэдабзэуи къокIыж а зэман дахэр пIалъэкIэ фагъуэ зыщIэхъукIыж, дыдж къыпщызыщIыж теплъэгъуэхэри. Ахэр зауэ бзаджэ блэкIам и лъэужь хэмыкIуэдэжахэрщ, абы и лъэужь Iейуэ, шынагъуэу махуэ къэс тлъагъуу щытахэрщ. … Гур игъэузырт «си къуэр фи деж щыIэмэ, кхъыIэ, къызэфтыж»,- жиIэу къуажэр унащхьэчэзууэ къикIухьу уэрамым къыдэна ди хьэблэ лIыжьым. Абы и къуэ закъуэр зауэм хэкIуэдат, езыри, и щхьэм сэкъат игъуэтауэ абы къикIыжат. Къуажэр иухырти, ар ди къуажэкхъэм кIуэрт, сын къуагъхэм къуэплъэу, и щIалэр къилъыхъуэжырт… Ди хьэблэм дэст МэдэкIэ еджэу нэгъуэщI лIыжьи, и лъакъуитIри пымытыжу зауэм къикIыжауэ, шэнт щхьэгуэм куэпкъкIэ тетрэ, ар IитIкIэ игъэIэпхъуэурэ къикIухьу. Щхьэл е нэгъуэщIыпIэ кIуэнумэ, шыдыгу иIэти, абы дэпщейрт, итIысхьэрти ежьэрт. Ар ди унэмкIэ куэдрэ блэкIырт, дзапэ уэрэд гуэр къришу. Иджыпсту зэхэсхым хуэдэу сощIэж а уэрэдым хэт мыпхуэдэ псалъэхэр: «Жьындури къаджэмэ, лIыжьым и джакIуэр къэсащ. Хьэуэ, хьэуэ, тIу, ар жумыIэ, тIу». А псалъэхэм къикIыу сэ къысфIэщIырт шынэ имыIэу, хахуэу зауэм хэта цIыхур иджы ажалым щышынэ хъуауэ, псэуну хуейуэ… Дэтт къуажэм нэгъуэщI лIы гуэри, башкIэ Iэбэрабэу къикIухьу, и нитIри нэф хъуауэ зауэм къикIыжауэ… Мамыр хъужа къуажэм къыдэхъуэрт гуауэшхуэ — губгъуэм джэгуу ит сабийхэр зэрымыщIэкIэ теувэрти, лагъым узэда гуэр къауэрт, абы Iыхьэ-Iыхьэу зэпкъриуда Iэпкълъэпкъхэр къэпкIэ къащыпыжырти, хьэдагъэшхуэкIэ щIалъхьэрт… Сэ си щхьэкIэ стелъщ зауэ блэкIам и уIэгъэ, зэи стемыкIыжыну. Ар илъэсихкIэ сэр нэхърэ нэхъыжь си кхъуэш ПIотIэщ. Ар илъэсищ ирикъуат, нэмыцэхэр ди къуажэм къыщысам. «КIэдыкъуакъуэхэм кърадзых лагъымхэм ящихъумэну ди анэм щIыунэм иригъэтIысхьэрт и бынхэр — и щIалиплIымрэ и пхъумрэ. ИригъэтIысхьэрти, лагъым къыщыуэкIэ, защхьэщиубгъуэжырт. Апхуэдэ махуэ гуэрым щIыунэм пэгъунэгъу дыдэу къыщыуа лагъымым ПIотIэ и тхьэкIумэ Iупсыр Iуиудащ, иужькIэ, Iэзи гъуази хуамыгъуэту, ар дэгум и мызакъуэу, бзагуи хъуащ. Апхуэдэуи къэнащ. IэпэтэрмэшкIэщ нобэр къыздэсым дызэрепсалъэр… — Усэным гу хуозыгъэщIар, литературэм укъызэрыхыхьа щIыкIэм къытхутепсэлъыхьыт. — Сэ япэ дыдэу стха усэхэм ящыщщ «Си къуэш» зыфIэсщар. Ар мыпхуэдэ сатырхэмкIэ иухырт: «Си къуэш, сыусакIуэм нобэ, уэрщ зи фIыщIэр. КъысщыпщIащ уэ тIуащIэ си къалэн. Зэхэсхын хуейщ нэбэ, си къуэш, сэ тIум папщIэ, ТIум жаIэни си закъуэ жысIэнщ». Мис а «тIум жаIэни жысIэнщ» мурадыр сиIэущ адэкIэ тхэным зэрыпысщар. Сэ сызыщIапIыкIар ди къуажапщэм зи кхъэ-Iуащхьэ тет лъэпкъ лIыхъужь хахуэ Андемыркъан и хъыбар гъэщIэгъуэнхэрщ, ди нэхъыжьыфIхэм, тхьэлъэIу гуэри ирехъу, хьэгъуэлIыгъуи ирехъу, гуфIэгъуэ Iэнэм пэрысу жаIэу щыта адыгэ уэрэдыжьхэрщ, апхуэдэ зэхыхьэхэм сыт щыгъуи къыщыIу пшынауэ макъхэрщ. Ахэр псори я лъабжьэщ гум дахагъэу къыщыушым. Школым сыщIэтIысхьауэ, 5-6-нэ классхэм сыщынэсам, усэ тетрадь зытIущ зэзгъэпэщат. Адыгэ литературэмкIэ дезыгъаджэ Бэрбэч Жылэбий абыхэм къезгъаджэу «уэ усакIуэ къыпхэкIынущ, сэ литературэ гупжьей къызызогъэпэщри, Iэмал имыIэу абы накIуэ, мы тхыгъэхэри усакIуэ дыдэ гуэрым ебгъэлъэгъуамэ арат»,- къыщызжиIам, си фIэщу зестащ усэным. «УсакIуэ дыдэ» гуэрым стхахэр езыгъэлъэгъуари, абы сыкъезыгъэцIыхуари си къуэш Жорэщ. Жорэ фIыуэ ицIыхурт Тхьэгъэзит Зубер, а тIур зэдеджат — ди университетыр къызэдаухат. Си къуэшым сишащ ар щылажьэ «Советская молодежь» газетым и редакцэм. Зубер гуапэ дыдэу къысIущIат, стхахэр лъэныкъуэкIэ иримыгъэтIылъэкIыу, «мыпхуэдэ махуэм къакIуэ» къызжимыIэу, и пащхьэ сыздисым мыпIащIэу хэплъат усэ хуэсхьахэм, къызжиIари дамэ къыптезыгъэкIэн псалъэт: «СыбгъэгуфIащ, щIалэ, щIэщыгъуэщ, гурыхьщ сыкъызэджахэм я нэхъыбэр, ахэр газет, журналхэм къытредгъэдзэнщ, умыукIытэу, ущыхуейм деж си деж къакIуэ». Апхуэдэуи ищIат, езым яритурэ «Ленин гъуэгу» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым къытригъэдзат си усэ зыбжанэ. А зэманым (сэ сышколакIуэу) къыщыщIидзащ Зубер сэрэ дякум дэлъа творческэ зэпыщIэныгъэм, зэныбжьэгъугъэм. Мы псор щIыжысIэр зыщ: куэд иIыгъщ тхэну къыщIэзыдза ныбжьыщIэм япэу гъуэгугъэлъагъуэ, чэнджэщэгъу, гъэсакIуэ-ущиякIуэ хуэхъу цIыхум, тхакIуэ нэхъыжьым. Сэ абыкIэ си насып къикIат — зэрыжаIэу, си Iэпэр яIыгъыу литературэм сыхэзышар япэщIыкIэ Тхьэгъэзит Зуберщ, итIанэ КIыщокъуэ Алимщ. А тIур уи гъуазэу ущыуэнкIэ, зыщIыпIэкIэ дэбдзыхынкIэ Iэмал иIэтэкъм… — Литературэ институтым узэрыкIуа щIыкIэм, абы щыбгъэкIуа илъэсхэм, ныбжьэгъу къыщыпхуэхъуахэм ехьэлIа гукъэкIыжхэмкIэ укъыддэгуэшамэ ди гуапэт. — Аушыджэр курыт еджапIэр къэзухри, литературэт си щхьэм илъри, сыщIэтIысхьащ ди университетым филогиемкIэ и факультетым урысыбзэмрэ литературэмрэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм. Сызыхэхуар гуп телъыджэт — иужькIэ бзэ щIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ, журналист Iэзэ къызыхэкIа гупт. Ди курсым хэсащ IутIыж Борис, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Абдокъуэ Iэуес, Сонэ Абдулчэрим, Гъэунэ Борис, Гъут Iэдэм, БакIуу Хъанджэрий, Джэрыджэ Арсен, Ацкъан Руслан. Мы зи цIэ къисIуахэм сэ сазэрыхэтар илъэситIщ. ЕтIуанэ курсыр къэзухауэ, университетыр къэзгъанэри, Горькэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтым си еджэным щыпысщащ. Ауэ псори дызэхуэзэжащ. Вузхэр къэдухри, IэнатIэ зырыз дыпэрыувауэ, къызэредгъэжьам хуэдэуи дызэныбжьэгъушхуэу етхьэкIащ, иджыри идохьэкI, ди жагъуэ зэрыхъущи, къэнэжахэм. Ди гуп дыгъэлым куэд хэщIащ. ХэщIащ драматургышхуэ IутIыжыр, еджагъэшхуэ Абдокъуэр, прозаик бэлыхь Гъэунэр, усакIуэ Iэзэ Сонэр… Литературэ институтым теухуауэ… си нэ къикIырт абы сыщеджэну. Абы поэзиемкIэ къудамэ щхьэхуэ иIэти, арат къэзухыну сызыхуейр. Мурад сщIащ Москва дэт Литературэ институт цIэрыIуэм сыкIуэну. Ди университетым япэ курсыр къызэрыщызухыу, абы си дэфтэрхэр езгъэхьащ, зэпеуэм сызэрыпхыкIын усэ гуп, Аушыджэр курыт еджапIэр къызэрызуха аттестатыр, ди ТхакIуэхэм я союзым и напревленэ щIыгъуу. Си тхыгъэхэр зэпеуэм пхыкIри, сыкIуэу экзамен стыну къысхуаIуэхуат. ЭкзамениплI стыри, сыщIэхуащ институтым, ауэ сыкъызэращтар заочнэут. Сыт сщIэнт? Сыщеджащ вузитIым илъэскIэ. Экзамен, зачётхэр сфIызэтехуэрти, Налшык «досрочнэ» жыхуаIэм хуэдэу, Москва и пIалъэм щыстырт. Япэ курсыр фIы дыдэу къызэрызухам и фIыгъэкIэ, Литинститутым очнэу седжэну хуит сищIащ. Абы къыхэкIкIи ди университетыр къэзгъэнэн хуей хъуащ. КIэщIу жыпIэмэ, зэрыхъум хуэдэу, сызэрыхуейм хуэдэу сщIащ — Москва илъэс бжыгъэкIэ сыдэсащ, литературэм и куупIэм сыхэту. Ар къэзыгъэщI куэдым сахэту. Абы махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу сащыхуэзэрт ди КIыщокъуэ Алим, Къэшэж Иннэ. Я литературэ пшыхьхэм сыкIуэну Iэмал згъуэтырт зи цIэхэр къэрал псом щыIуа усакIуэхэу Евтушенкэ Е., Вознесенский А., Рождественский Р., Ахмадулинэ Б., Казаковэ Р. сымэ — зи цIэхэр къэрал псом щыву усакIуэхэм. КIыщокъуэм и фIыгъэкIэ, Москва гъунэгъуу къыщысцIыхуат Гамзатов Р., Кугультинов Д., Мустай К., Айтматов Ч., Ду- дин М., — тхакIуэ-усакIуэшхуэхэр; Гребнёв Н., Козловский Я., Липкин С. — зэдзэкIакIуэ Iэзэхэр. Литинститутым ныбжьэгъуфI щысхуэхъуауэ щытащ Рубцов Николай — Урысейм етIуанэ Есенину щалъытэ усакIуэ телъыджэр, абы къуэшым хуэдэу щызиIащ си курсэгъу Ляпин Игорь — усакIуэ бэлыхьыр, иужькIэ Урысейм и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу лэжьар…. Куэдрэ сигу къокIыж Литературэ институт цIэрыIуэр, сщыгъупщэркъым абы щесхьэкIа студент гъащIэ дахэр, сыхуозэш езы Москва къалэшхуэм, абы и театрхэм, музейхэм, стадионхэм. — Зи хъэтI зиIэж усакIуэ цIэрыIуэхэм уащыщщ. УсакIуэр Iуэхуншэу щысыфынукъым. Нобэ нэхъ узэлэжьыр сыт? — Сэ зылI къигъэщIэн къэзгъэщIащ, зылI илъагъуни слъэгъуащ гуфIэгъуэуи гузэвэгъуэуи. Ауэ зылI ищIэн сщIащ схужыIэнукъым тхылъ пщIы бжыгъэ стхауэ, къыдэзгъэкIауэ щыт пэтми. Апхуэдэу и щхьэ хужиIэжакъым, дэри къыджиIакъым езы КIыщокъуэ Алим дыдэ, «Бгыщхьэ хужьым сыкъеплъыхыу» жиIэу зи гъащIэ гъуэгуанэр къезытхэкIыжам. ЦIыхур зэи и щхьэ хуэарэзыж хъунукъым ищIамрэ илэжьамкIэ. Ауэ цIыхур хуитщ (гъащIэшхуэ къигъэщIамэ) и нэгу щIэкIахэмрэ дерс къызыхэпх хъуну абыхэм яхилъэгъуахэмрэкIэ къыбдэгуэшэну. Сэри аращ нобэ сщIэр, сызэлэжьыр — мыхьэнэ зиIэу къэслъытэ гукъэкIыж гуэрхэр сотхыж, си ныбжьым сызытригъэува гъащIэ Iуащхьэм сыкъеплъыхыжурэ, абы къыдэкIуэуи, кхъахэ дыдэ мыхъуа си гум къыпылъадэ усэхэр сотх. Iуэхуншэу сыщыскъым, япэхэми хуэдэу, си IэнатIэм сыпэрытщ си къару семыблэжу, си ужь къихъуэнухэм «абы зылI ищIэн ищIащ» жезгъэIэныр си хъуэпсапIэу… — Уэ уи усэхэр хэкум, анэм, фIылъагъуныгъэм ехьэлIахэр, психологизм лъэщкIэ псыхьауэ щытщ, композицэкIи адрейхэм къахэщу, мыр зейр Бицу Анатолэщ, яхужыпIэу зэхэлъщ. Апхуэдэ усэхэр къэбгъэщIын щхьэкIэ зэфIэкI уиIэн къудейр мащIэщ. Уи усэхэм я лъабжьэр сыт? — Сыт хуэдэ темэшхуэ, темэ цIыкIу къыщыIэтауи щрет, усэр усэ нэс хъунукъым а темэр куууэ абы щызэпкърымыхамэ, ар къиIуатэ гупсысэкIи и гъэпсыкIэ-ухуэкIэкIи гъэщIэгъуэну, щIэщыгъуэу щымытмэ, бзэ екIукIэ, дахэкIэ мытхамэ. «Ди литературэм макъыщIэ къыхыхьащ жытIэу дыщIэгуфIэ щыIэщ нэхъыжьхэр. Абы къикIыркъым усэ итхыу иджыри зыгуэр къыкъуэкIауэ. Абы къикIыр усакIуэщIэ гуэр, гу лъумытэнкIэ Iэмал имыIэу, къэунэхуащ жиIэу аращ — езым и дуней еплъыкIэ иIэжу, и гупсысэкIи абы и къэIуэтэкIэкIи зыми емыщхьу, и усэ къэс купщIэшхуэ ящIилъхьэфу, къыбжиIэну зыхуейр уи деж гурыIуэгъуэу къызэрихьэсын, уи гум зэрызыхригъэщIэн Iэмалхэр езым къигъуэтыжыфауэ. А псоми зэреджэр, псом хуэмыдэу Iэмалхэм, Iэзагъэщ. Iэзагъэри езыр къакIуэркъым. Тхьэм къуитауэ уиIэ фIэкIым зумыгъэужьмэ, ар мащIэ-мащIэурэ щIэвэщIэнурэ бахъэ хъужауэ къыпхуезыгъэхам деж лъэтэжынущ… Iэзагъэр къуэпс быдэкIэ пыщIащ щIэныгъэм. Уи щIэныгъэр нэхъ куу хъухукIэ, уи Iэзагъэми хэхъуэнущ. «Тхэ цIыхур псэухукIэ еджэн хуейщ»,- жысIэри сэ интервью гуэр стауэ щытащ. ГъащIэм укъыкIэрыху хъунукъым, зэманым удэбэкъуэн хуейщ, абы папщIэ пщIэн хуейщ дунейм щекIуэкIыр, цIыху акъылыр здынэсар. Аращ сыт щыгъуи уеджэн щIыхуейр — щIэныгъэ уиIэн щхьэкIэщ, уи Iэзагъэр ебгъэфIэкIуэн щхьэкIэщ. Дэтхэнэ IэщIагъэми лъабжьэ хуэхъур аращ. — Литературэм ди гъащIэм щиубыд увыпIэм, ар зэрыхуа щытыкIэм утезгъэпсэлъыхьынут. — Литературэм «гъащIэм и гъуджэкIэ» йоджэ. Ар апхуэдэу зэрыщытым и щыхьэтщ дунейпсо классикэр. Дунейр къэунэхуу тхыбзэр къызэрежьэрэ, литературэм «сурэт трех» гъащIэм. Зэрытрихри езым къигъуэтыжа IэмалкIэщ — псалъэкIэщ. Литературэм псалъэкIэ тхыдэм къренэ лъэхъэнэ зэмылIэужьыгъуэхэм я теплъэр, абыхэм щыпсэуа цIыхухэм я шыфэлIыфэу щытар, я псэукIар, мурад-гугъапIэу яIар. Иджырей литературэм и нэIэ тригъэкIыркъым нобэ екIуэкI гъащIэм, абы ди зэманым и сурэт ещI зэрыщыт дыдэм хуэдэу. Аращ литературэм и къалэн нэхъыщхьэр — гъуджэм къищыным хуэдэу IупщIрэ наIуэу, уи фIэщ хъун хуэдизу, зэманыр къигъэлъэгъуэнырщ. Литературэм и къалэным зэи зихъуэжыркъым. Апхуэдэуи зихъуэжыркъым абы укъызыхуриджэм. Ар дунейм цIыху нэсу утетынырщ, уи гуащIэкIэ гъащIэр зэребгъэфIэкIуэным ухущIэкъунырщ, захуагъэм, цIыхухэр зэхуэгъэдэным, псэукIэ дахэм, къэкIуэным ущIэбэнынырщ. АтIэ, инкъэ абы цIыху гъащIэм щиIэ мыхьэнэр, лъагэкъэ щиубыд увыпIэр. Апхуэдэу щыт пэтми, литературэм и пщIэр нобэ хуабжьу къелъэхъшэхащ. Зэманым зехъуэж Iейм и лъэныкъуэкIэ кIуэуэрэ, цIыхури абы докIуатэ. ЦIыхур иджы хуеижкъым тхылъ Iущи щIэныгъэшхуи. Зыхуейр тхъэжу зыхэпсэукIын мылъкущ, абы и зэгъэпэщынырщ Iуэхууи дэлъуи иIэр. Сигу ихужыркъым си цIыхугъэфI урыс усакIуэшхуэ Евтушенкэ Евгений (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!) илъэс зыщыплI япэкIэ къызжиIауэ щытар: «Дауэ къыпщыхъурэ, сэ, зи фэеплъыр Пушкиным ейм бгъурагъэувэн хуейр, Пушкиным и утым сытесщ си тхылъхэр сощэри». Ауан тIэкIу щIэлъу жиIами, гуузт а псалъэхэр. Апхуэдэ щытыкIэщ зэрыхуар нобэ литературэр. — Лъэпкъ Iуэхухэм я дежкIэ зыкъэдгъазэмэ, сыт уэ узыгъэгузавэр, нэхъ уигу къеуэр? — Мы упщIэм и жэуапыр кIэщIу уэстынщ. Дэтэнэ адыгэми хуэдэу, сэ сехь ди лъэпкъым и гурыгъузым — ди бзэ дахэр зэрытIэщIэкIым, дэ убыххэм я махуэр къытхуэкIуэнкIэ зэрыхъунум. Сехьри сехь а гурыгъузым. Махуи жэщи согупсысэ «сыт ди Iэмал?» жысIэу. Бзэр хъума хъунукъым «щхьэ фи бынхэм адыгэбзэр яIурылъу къэвмыгъэхъурэ» жыпIэу адэ-анэхэм уешхыдэкIи, «щхьэ дахэ-дахэу цIыкIухэм ар евмыгъащIэрэ» жыпIэу школ егъэджакIуэхэм уащIэгубжьэкIи, «нэгъуэщI мыхъуми фи псалъэм и етIуанэр урысыбзэу щымыту зевгъасэ» жыпIэу адыгэ къулыкъущIэ къомым уегиекIи. Апхуэдэу махуэ къэс дохъущIэ, къикI щыIэкъым ахъумэ. Сэбэпынагъ гуэр къахь хъунщ дызэрытхьэусыхэм, зыгуэрхэр къэдгъэуш хъунщ, зыщIэдгъэгупсысыж хъунщ: «щхьэ зыдмыхъумэжыфрэ, щхьэ лIыгъэншэ дыхъуа, дыадыгэкъэ, адыгэпсэ тIуту!» жаIэу. Мис а «адыгэпсэ» псалъэращ сэри псом япэ си гум къилъадэр, ди лъэпкъ Iуэхум сыщегупсыскIэ. Тхэтыжу пIэрэ ар жызоIэ, махэ мыхъуауэ, щIэмылIауэ пIэрэ, жызоIэ. НэгъуэщI хэкIыпIэ щызмылъагъукIэ, си щхьэ хужызоIэж: «Псэращ псом я щхьэр, зэманым зихъуэжми, псэм зихъуэж хъунукъым. Псэщ зэрыпхуэхъумэнур уи бзэри уи лъэпкъри!» — ФIыщIэ пхудощI уи зэман тхухэпхыу укъызэрыдэпсэлъам папщIэ. Лъэпкъым уузыншэу куэдрэ ухуэлэжьэну Тхьэм жиIэ! Епсэлъар НафIэдз Мухьэмэдщ. Бицу зэкъуэшхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэху. Усыгъэхэр Сурэт Куэд щIащ зауэ мафIэр зэрыужьыхыжрэ, Ауэ сахуэ фIыцIэр ноби ди щIым телъщ… Мес, щIэрыщIэу нанэ блыным къыфIехыжри, Нэпсыр щIилъэщIыкIыу, сурэт гуэрым йоплъ. А сурэтыр нанэм хуехь и Iупэм, и нэм, Трахыным хуэдэу щIекъузэ и бгъэгу. КъогуфIыкI сурэтым щIалэ щхьэц баринэр — Зэгуэр сабий дыдэу техьар зауэ гъуэгу. А зы сурэт закъуэрщ къытенар дунейми И фэеплъу и къуэ зауэм хэкIуэдам — Аращ зэплъыр анэр дыгъэр къыщIэкIами, Аращ зэплъыр анэр жэщхэр хэкIуэтам… Къызоплъыхь сэ фэбжькIэ гъэнщIа мы ди щIылъэр, Нобэм и нэщэнэу дэнкIи щызолъагъу: Итщ и пащхьэм анэр блыным сурэт фIэлъым — Сурэтыр нэщхъыфIэщ, анэр гукIэ магъ. Нэф Зэгуэр къыщихьэм Ди щIым бийр мафIэскIэ — Ихъумэу лъахэр, Ем ар пэуват. Хэтт щхьэмыгъазэу Лыгъэ курыкупсэм Дунейр сэлэтым КъыщытеункIыфIам… Бийр хисхьэжащ Езым зэщIищIа мафIэм. ЩIэрыщIэу ди щIым Дыгъэр къипсэжащ. Ауэ къэнащ И махуэ псори кIыфIу — А зауэм нэфу Сэлэт къикIыжам… О, сыту гуфIэу Iуплъэжынт ар нобэ Зэгуэр мафIэсым Щихъума дунейм! … КъекIухьыр нэфым БашкIэ Iэбэрабэу, ФIэкIуэда нитIыр Къилъыхъуэж нэхъей. * * * Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ, Ухэтми дэпым — Уэ зэщIэувыIыкI. Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ, Ажалу щытми къожьэр — КъызэплъэкI. Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ, Сэр ныкъуэкъихми сампIэм — Ар илъхьэж. Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ, Шэ бутIыпщам — ЛъэщIыхьи къегъэзэж. МафIэс, къурш лъалъэ, Мы дунейр зыхьыж псыдзэ — ЩымыIэ, сянэ, сэ сызубыдын, Щызэхэсхам къыбжьэдэкIауэ си цIэ. Ар схулъэкIынщ сэ, Сэ — уэ сурибынщ! Ауэ сыщыножалIэм щтэIэщтаблэу, Дапщэщи хуэдэу, къызжеIэ къудей: «Сигу укъэкIауэ арат тIэкIу, си щIалэ…» — ГуфIэгъуэм си псэр хэткIухьынщ абдей… Семыжьэ Iей. Ди Тхьэшхуэм имыухкIэ Къэхъуну яужь дыдэу сыщебджэж! ИтIани быдэу зызогъэIущыж: Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ — И пащхьэм, псынщIэу нэси, сыну щыж! Къосыр уэс Къосыр жьыбгъэм кърихьэкIыу, ПIащэу, щабэу… ЩIылъэ псор еуфэбгъу. Сэ уэращ, Уэ зырщ сигу нобэ къэкIыр — Уэ къыщесыр уэсыр ФIыуэ плъагъут. Къосыр уэс… Къыстосэ ар си закъуэу, Уэ нэгъуэщIым Иджы удэщIыгъущ. Фыхэт хъунщ мы уэсым Фи щIэщыгъуэу… Уэ къыщесыр уэсыр ФIыуэ плъагъут. Къосыр уэс… Уэ си гум укъэкIауэ Гурыгъу мафIэ щэхум Си бгъэр ес. Сэ уизгъэхужынут сигу Куэд щIауэ, Сэ уизгъэхужынут си гум, Ауэ Къосыр уэс… Къос пIащэу, щабэу уэс… КIуэцIрыкIыбжэ ДэнэкIи хуейр къыщыдыхьэу, ДэнэкIи хуейр щыдэкIыжу, Iумыту зы куэбжи бжыхьи, Си пщIантIэр — кIуэцIрыкIыбжэщ… КъызэмыупщIу сэ зыкIи, Къыдыхьэу гуауи гуфIэгъуи, Ар зэIухащи сыт щыгъуи, Мы сигури — кIуэцIрыкIыбжэщ… КIуэцIрыкIыбжэр сфIэIейкъым — КъысхуокIуэ хьэщIэу хэт хуейми. Ауэ къызет зы гукъеуэ — СеукIыр сэ жьызэпеуэм. ХьэрэкъуакIэ дыхьэжа щIалэгъуэм Дэрэжэгъуэ псори зыдихьа? Сыт щIэзмылъагъужыр сэ гуфIэгъуэ? Пшагъуэр щхьэ си гъуэгум къытрихьа? Нэщхъеягъуэщ къихьыр жьыбгъэ жьыбгъэу КъыздикIар сымыщIэу къыкъуэуам. Тхьэмпэу фIырикъухьурэ и гугъэр, Жыгыжь дапщэ абы къигъэуар?! Къиплъу уафэм зэ си насып вагъуэу Слъытам, нэкIэ сыдэмыджэгуж: Бзэхащ вагъуэр, гукъыдэжым щIыгъуу, Хъуащ я къуагъ пшэм. Ар къэзмылъыхъуэж. СимыIэж щхьэгъусэр. Сядэ-сянэр Зэрылъ кхъэм ар тхьыри итлъхьэжащ. Ауэ си къуэр, усэр — си псэщ, си нэщ, ЖезмыгъэIэ зыми: «Къуилъхьэжащ». Сыщыдыхьэшха сэ макъкIэ сщIэжкъым, Е гухэхъуэу си псэр щыгуфIа. Къафэ, джэгу жыхуаIэм и гугъу сщIыжкъым… Хэплъэрей сохъу, фадэбжьэ сефам. Сыхуеижкъым сэ иджы куэдыщэ, Хъуэпсэрилэу плъэжкъым жыжьэ гур. Къызэт нобэ, пхулъэкIынум, гъащIэ, Псы кIурушкIэу Iур зымыгъэгъущIэ Насып кIапэ — гурыфIыгъуэ мащIэ, Сытми, Iупэр щIызэтежын гуэр! * * * Фадэм, тутыным, бзылъхугъэм Яхуэзмыгъазэу си гупэ — Яхуэзмыхьыжу си Iупэ Сыщыхъун пIалъэр къоблагъэ. Къэсмэ ар, къыспэплъэр сощIэ — МащIэу IэфI, куэду дыдж гъащIэщ. Сигу пхъэрым, нитI хъуэпсэрилэм IэщIыб ящIынщ гугъэ делэр. Хущхъуэм, хъудырым, хъущIэным, Си Iупэр ягъэгъущIэнкъым. Зэпытыр фадэм, тутыным КъахукIуэ! Паркым ситынущ. ТхьэIухуд Iэджи зблэкIынущ, СлъэмыкIуыуи сакIэлъыплъынущ, Ауэ зы къемыплъэкIыну… Си гугъэр Бещтом и Iуащхьэт. Къандзэгу хуэдизщ зэрыхъужыр. ИтIани сэ зызлыгъуэжкъым, — ЗыкIэрызощIэ псом ящхьэм. Сэ жьыгъэм сыщымышынэ. Ауэ ажалым семыджэ. ТхылъымпIэм, ручкэм, нэгъуджэм Уакъыхуэнэнри хъарзынэщ. Мис ахэм сыкъагъэщIэхъурэ? — Аращ си гъащIэр зэрыхъур!
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100190.txt" }
И хъуэхъури зэпэфIщи, и псалъэри IукIафIэщ (ХьэтІохъущыкъуей къуажэхэм я псалъалъэ) Балэ — хыв пIащэфIым щхьэкIэ жаIэ. Псалъэр ХьэтIохъущыкъуейхэм я дежщ щызэхэтхар. Бэлахъуэ — хывыхъуэ. Был Iуэгъуэ — зы макъ къыжьэдэкIыркъым, жыхуиIэщ. Бырамбыху джанэ — цIыхубз жэщ джанэ. Бешкъэзакъхьэблэхэм къахьыжа псалъэщ. Гуажэ хуэхъун — и жагъуэ хъун, жыхуиIэщ. Гуащэв — гуащэм хуагъасэ вы. Гъэрэхъу-щIэрэхъу — шы удэфа, шхэкъуа, сэхъуа. Гъуэ — щыхь Iэл лъэпкъ, урысыбзэкIэ «косуля» жыхуаIэращ. ХьэтIохъущыкъуейхэм я псэлъафэщ. Гъуэжьуз гъуэл хуэхъущхьэщ, жаIэ. Гъуэншэджыпхъэ — гъэру яIыгъ хъыджэбзхэм щхьэкIэ жаIэ. Хэкукъутэм къыдэкIуа Iуэхугъуэхэм нэхъыжьхэр щрипсалъэкIэ, цIыхубзхэр жаIэрт хамэщI къыщыхута гъуэншэджыпхъэхэр жьэн узым ихьыжащ, дуней насыпи яIакъым, жаIэу. Зи гугъу ящIыр Хэкум ираша хъыджэбзхэрт. Псалъэр щызэхэтхар Тыркум щыIэ ХьэтIохъущыкъуеижь къуажэрщ. ГъуеякIуэ — гузэвэгъуэ хэхуа унагъуэм е цIыхум я цIэкIэ жылэм ахъшэ щхьэкIэ лъэIуакIуэ хыхьауэ хэтым апхуэдэу йоджэ. Зы лъэныкъуэкIэ щIэгъэкъуэнщ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, укIытэр, емыкIур лъэIуэну зыхуэзымыгъэфащэу бэлыхьлажьэ хэхуам ящхьэщызых псапэхуэщIэ Iуэхущ. Псалъэр кIуэдыжу хуежьахэм яхэтами, иужьрейхэм къэунэхужауэ жыпIэ хъунущ, узыншагъэкIэ гукъеуэ зиIэхэм яхуримыкъу ахъшэр зэхуэзыхьэс щIалэхэм апхуэдэу йоджэ. Дэ гуэн — тхъапIэ, жыхуиIэщ. Дэ купщIэкIэ щагъашхэ унагъуэщ, я дэ гуэныр изщ, жаIэ. Дэпщэж — дагъэкIа къудамэр жыгым ищтэрэ щыдэкIейкIэ, къудамэр дэпщэж хъуащ, жаIэ, зэрызэхэкIам щыгуфIыкIыу. ХьэтIохъущыкъуей жыггъэкIхэм я псэлъафэ дыдэщ. Думэданэ — къуэрылъхум и щхьэгъусэр унагъуэм щриIэбэну гуащэшхуэм хуригъэщIа жыхапхъэм аращ зэреджэр. Думэданэ бгырыпх, тIырх-лъэрх дэIэбэ, жиIэрт, жаIэ, нысащIэм, гуащэшхуэм емыпсэлъами, фIыщIэ зэрыхуищIыр къигъэлъэгъуэн щхьэкIэ. Едэу — гъурыжь цIыкIу, зыужьыгъуей, гуащIэ мащIэ, жыхуиIэщ. ХьэтIохъущыкъуей нанэхэм жаIэу куэдрэ зэхэпхынут: «Си щIалэ цIыкIур едэужь цIыкIуу къэхъуащи, сигу хупих зэпытщ». Ехъуэрыуэн — зыгуэрым ехъурджэуэн, ауан хэлъу епсэлъэн. Щоджэнхьэблэхэм зэрахьэ псалъэщ. ЖьафIэ — гъэхуауэ, шэрыуэу, ауэ бзаджэу икIи пиупщIу псалъэ. ЗэпыкIэнтIыкIын — зыхуэмыIыгъыжын, зэфIэщIэн, узым игъэшын. ХьэтIохъущыкъуейхэм я псэлъафэ дыдэщ. ЗэпэфI — псалъэр зэзыгъэзэхуэфым, екIуу зэхэзыухуэнэфым щхьэкIэ жаIэ. И хъуэхъури зэпэфIщи, и псалъэри IукIафIэщ, жыIэгъуэр куэдрэ зэхэпхынущ хьэтIохъущыкъуей нэхъыжьхэм жаIэу. Зэтехун — тхьэмыщкIэ хъун, имыIэмрэ зыхуэныкъуэмрэ нэхъыбэ хъун, жыхуиIэщ. Унагъуэр зэтехуащи, яшхын ямыIэу нэху къыщекIыр куэдрэщ, жаIэ. ХьэтIохъущыкъуейхэм я псэлъафэ дыдэщ. Ар щыгъэтауэ, «унагъуэ тхьэмыщкIэ» жыIэгъуэм «унагъуэ хуэмыщIа», «куэд хуэныкъуэ унагъуэ» мыхьэнэр къикIыу къуажэдэсхэм я бзэм къызэрыхыхьэрэ куэд щIакъым. ЦIыхум и Iэм имылъ гуауэ къызытепсыхар зэрырагъэундэIу псалъэт, Тхьэм урианэмэтщ, жаIэу кърагъэкIыу. Зыгъэтхынысэн — и щIыкIэкIи и псэлъэкIэкIи зэрынэхъыжьыр нэхъыщIэхэм къезыгъащIэ нысэгъу. Зегъэтхынысэри, и псэм хэлъыр къытхуэмыщIэ, жаIэ. Зыкъэуджэщыжын — зыкъэщIэжын, къызэрыгъуэтыжын, жыхуиIэщ. Зыкъэуджэщын — зыкъэужьыжын, нэплъэжыгъуэ гъуэтын. КIахъуэ-щхьэхъуэ хъун — цIыху сурэтым икIын, фэладжэ хъун, жыхуиIэщ. Къащтэрыуэ — фочауэ мыхъумыщIэ, шэ икI макъым игъащтэу зэгъэкIуапIэ имыхуэу кIакхъу щIэзыч. Мыбы къыхэкIри, мыгупсысэу псалъэм, гум хыхьэу жагъуэ псалъэ жызыIэм щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ хъуащ. Къут — зыгуэрым щыщ Iыхьэ псо. Тутын къут, жаIэ. УрысыбзэкIэ «пачка» жыхуиIэ мыхьэнэр иIэщ. КхъащкIэ I — мащэм тращIыхьыж Iуащхьэ кIыхь цIыкIум аращ зэреджэр. И кхъащкIэр и тепIэнщ, и мащэр и уэншэкущ, жаIэ. НэгъуэщI псэлъафэ гъэщIэгъуэни щыIэщ: Джэдгын зи жагъуэм и кхъащкIэм къытокIэ. КхъащкIэ II — мащэр щатIым къратхъуа щIыгулъым щыщу дунейм ехыжам и гущIыIум тракIутэ ятIэ IэмыщIэ. Кхъуху — шыр ягъэпскIауэ щызэпалъэщIыхьыжкIэ, яIуантIэ ху хьэуазэм аращ зэреджэр. Псалъэр къуажэ шыхъуэ цIэрыIуэу Щоджэн ТIэлашэрэ Бырс Андзоррэ куэдрэ жаIэу щытауэ нэхъыжьхэм къаIуэтэж. «Щоджэн и къуэм и уэрэдым» щыщ зы пычыгъуэм мыпхуэдэу щыжеIэ: «Iэнэ хьыгъуэм сыпашэщ, шы лъэщIыгъуэм сыкхъухущ», — жеIэри. ЛэкIур — щхьэзэ, хъэрахъэ. Нэхъыбэу зыхужаIэр мэлращ. Мэлыр лэкIур хъуащи къызэрохьэкI, жаIэ. Псалъэр Щоджэнхьэблэхэм къахьыжащ, нобэми зэрахьэ. Лъапэрыгъуджэ щIын — щIыбкIэ утелъу лъакъуэр къэпIэтурэ лъэ- гум щIэплъэжын. Лъапэрыгъуджэ щIыи, щIыр къэбгъазэу лIыхъу хъу, жаIэ. ЛъэпщIаджэ — мыхьэнэ зимыIэ, къарууншэ, мащIэ, гуащIэншэ, цIырхъ мыхьэнэхэр иIэщ. Бжьахъуэкъуейхэм я бзэм щыщщ. Лъэхъыщт — хъыбар кIапэ, жыхуиIэщ. Щоджэн Къамбот и лъэхъыщтым дытехьащ, жаIэ, и хъыбар кIапэм дытеуващ, кърагъэкIыу. ЛIыхъумэт — лIыгъэ нахуэ зезыхьам хуагъэфащэ гъэфIапщIэ. Щоджэнхьэблэхэм зэрахьэ псалъэщ. Мэхьэрэмэн — гъатхэ пасэм къызэщIэущкъулэ удзхэм я мэ зэщымыщхэр зэуэ къыщызэдэхъейм деж дунейр мэхьэрамэ жаIэ. Къуажэ лIыжьхэм мы псалъэр хэту сабийхэм псынщIэрыпсалъэ жрагъэIэу щытащ: мэзым и мэр маеу къомэхьэрамэри мэхьэрэмэж, къомэхьэрамэри мэхьэрэмэж. Набзэ — бзаджагъэ лъэпкъ зыщIэмылъ цIыхубз плъэкIэм щхьэкIэ жаIэ. Набзэу маплъэри, къабзэу мэпсалъэ, жыIэгъуэ дахэр щыIэщ. Накъыгъэнабдзэ — цIыхубз дахэ, бзылъхугъэ гуакIуэ, жыхуиIэщ. НафIэуфIэ — нэхъыфIыIуэ, уасэ зиIэ, нэхъ ягъэлъапIэ, зыщысхь, жыхуиIэщ. НафIэуфIэ тIэкIум фIэкIа къыхамыхыу, я мылъкур къагъанэри уэркъ быныр щтапIэ ихьэжащ, жаIэрт нэхъыжьхэм. Псалъэр Бешкъэзакъхьэблэхэм къахьыжащ, нобэми зэрахьэ. Нэшх-пэшх хъун I — укъепс хуэдэу укъызэщIищIэн. Нэшх-пэшх хъун II — кIэху къэщIын. Пэгъупандэ — IэнатIэ лъагэ зиIэ цIыхухэм я пашэгъу е пыхъуэпышэ, ахэр игъэпуди мыхъуу, игъэлъэпIэнуи хуэмейуэ. ХьэтIохъущокъуэхэ пэгъупандэр я куэдт, жаIэ. ХьэтIохъущыкъуейдэсхэм мы псалъэм кърагъэкIыр къыщхьэщокI къэбэрдей хьэжрэтхэм ар къазэрыгурыIуэм. Абыхэм псалъэр зэращIэр «фэжагъуэхь» мыхьэнэмкIэщ. Пэщабгъэ дэхын — зи ныбжьыр илъэсищ ирикъуа сабийм щхьэкIэ жаIэ. Мы жыIэгъуэр нэхъыбэу зи бзэ къыхэхуэр цIыхухъухэращ. Бешкъэзакъхьэблэхэр къызэращIэ псалъэщ. ПхэнжырыIуатэ — жаIар е зэхахар зэрыщытым хуэдэу зымыIуэтэжым щхьэкIэ жаIэ. Пхъэлъэфынэ — пхъэ къыщалъэфкIэ, кIапсэ иращIэну пхаупщIыкI гъуанэм щхьэкIэ жаIэ. Пхъэлъэфынэр яугъуэныркъым, ирадзэ. Таркъыгу — гублащхьэдэсэ зыдэлъ выгу. Бешкъэзакъхьэблэхэм къахьыжа псалъэщ. ТекIуэшын — IукIыжын. ТекIуэтри текIуэшщ, жаIэ, бгъэдэкIри IукIыжащ, мыхьэнэр хэлъу. Тешапхъэ — фочауэ. ТеIэпхъаджэ щIын — тегушхуэгъуафIэ щIын. Тхьэбзэгъуджэ — урысхэм зэреджэ псалъэщ. ЩIыжаIэмрэ къызыхэкIамрэ тхузэхэгъэкIакъым. Уаджэ I — хьэцыпэ жыхуаIэращ. Къуажэ къебжэкI гуэрым мыпхуэдэ сатырхэр хэлъщ «ХьэуазитI зэпызодзэри, яку зы уаджэ дызодзэри, уафэм сыдокIуей, къызоплъыхь-нызоплъыхьри, дзэ фIыцIэр къызолъагъу…». Уаджэ II — хьэлъагъ лъэпкъ зимыIэ цIыху. Уаджэщи, жьы мащIэ къыкъуэуми ихьынущ, жаIэ. УлакIуэ — ахъшэ щIыхуэ зэпымычу къэзыщтэ. Унэужь — унагъуэ Iуэхухэм хуэIэижь, сытми нэс, псори зэхъулIэ цIыхубз. ТIэу улъхуэмэ, уфызыкущи, щэ улъхуэмэ уунэужьщ, жаIэ. Хуейдей — лъэныкъуитI зэрыгъэхъуауэ цIыху куэд зыхэт къаугъэ, зэрызехьэ, бырсыр, хуейдейм дызэридзэри, ди дзэр зэрыдгъэшхыу дыкъэтIысыжащ, жиIэрт куэдрэ адыгэ тхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд. ХуейдейкIэ ар зэджэр революцэрат. Хъэнцу I — псым къыхэкIыкIа удзыр зэхэупцIауэ ныджэм телъмэ, хъэнцур зэрызолъафэ, жаIэ. Хъэнцу II — ятIэри хьэуазэри щызэхэупцIа IэшкIэ. Хьэдагъэжьей щIын — Iуэхум хуэжьажьэу, фIэмыфIу, игу хэмыхьэу, жыхуиIэщ. Псалъэр зыхуэгъэзар лэжьыгъэм зыщIезыгъэх ныбжьыщIэхэрщ. Къалэдэсхэм къахьыжа псалъэщ. Хьэлъэпс иупIэ — лъэгуажьэ щIагъым щхьэкIэ Бешкъэзакъхьэблэхэм ноби аращ жаIэр. Хьэнэпс — уанапхэ быжым деж иIэ фэ кIэрыщIапIэ. Хэхуэрэ хуапэрэ — узыхыхьэм ещхь уохъу, жыхуиIэщ. ЦIыракIуэ I — щIыпIэ жыжьэ, Iэгъуэджэ, здынэсыгъуей. ЦIыракIуэ II — ныбжьышхуэ зиIэ. ЦIыралыдж — зи фэр пIащIэ, жыхуиIэщ. И ныбжьри цIыракIуэщи, и фэри цIыралыджщ, жаIэ. Псалъэр Щоджэнхьэблэхэм нэхъ зэрахьэ. Шэуал — цIыхубз Iущ, чэнджэщ къызыпах икIи зрахьэлIэ, губзыгъэкIей. Тамбий Къэбардэ и щхьэгъусэм и цIэр Шэуал-гуащэу жаIэрт. Хъыджэбз цIыкIу къалъхуамэ, мыпхуэдэу ехъуэхъурт: «УщIалэфI натIэрэ щуIэгъэ узыхуэхъум уришэуалу гъащIэ кIыхь угъащIэ!» Шыгъувэ щIын — адыгэ IэзэкIэм щыщщ; къупщхьэ уз зиIэм къеуз щIыпIэм щэкI хужьым кIуэцIылъу шыгъу гъэва тралъхьэу щытащ. ШыпIыртIэхъун — хэукъуэн, зэрымыщIэкIэ щыуагъэ щIэн. ДышыпIыртIэхъури, Iуэхур зэIыдгъэхьащ, жаIэ. Псалъэр ноби зэрахьэ. ЩахэIуж — щахэгум зиIуантIэу ефыкI узыфэ лIэужьыгъуэщ, урысыбзэкIэ «перекрут яичка» жыхуаIэращ. ЩыгъэкIын — хугур ягъавэурэ хьэнтхъупс уефэ хъун хуэдэу ва нэужь, хьэнтхъупс къыщхьэщахри, пIастапхъэр шыуаным къранэ, ар ягъажьэ. Аращ пIастэр щыгъэкIын жыхуаIэр. ЩыгъэпIытI — илъэсыщIэ псейм кIэращIэ, абджым къыхэщIыкIа джэгуалъэ щыгъэхэр. ЩIакIуэ хъыринэ — хьэдэ къызэрашэж щIакIуэ зэпыдзэм апхуэдэу еджэу щытащ. Бешкъэзакъхьэблэхэм къаIуэтэж хъыбархэм къыхэхуэ псалъэщ. Iэдэмашэ — къудамэ зэхэтым къыхэкIыу бгъукIэ кIуэ къудамэ. Iэгурыхьэ-IэгурыкI — къызэрыкIуэм хуэдэу кIуэж, псынщIэу кIуэдыж, къыпкIэрымыпщIэ. Iэгудэхыу псэун — зи унэ лъапсэр джабэм кIэрыту псэухэм щхьэкIэ жаIэ. Къущхьэхэм унапIэу ящIыр игъащIэми Iэгудэхщ. Iэгурмэжь — гъумыщIэ, пIащэ, жыхуиIэщ. Нэхъыбэу башым, жыг къудамэм ехьэлIауэ къапсэлъ. Баш Iэгурмэжь, жаIэ. Iэгуущэ — и гуащIэдэкI къабзэкIэ псэу, пщIэнтIэпс хьэлэлкIэ псэуныгъэр езыгъэкIуэкI цIыху. Iэл унэм щыпIын — дунейм къытемыхьэу пIын, цIыхум къамыщIэу къэгъэтэджын, жыхуиIэщ. Зи пIалъи зи щэни ямыщIэ цIыхум щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ. Iэпэбжьэ — залэ, жыхуаIэращ. Iэпщэ ищIэн — Iуэху гуэрым мурад хуэщIын, ар зэгъэхъулIэн щхьэкIэ щIапхъэ зыри къэмыгъэнэн. Мо лъэпкъым япхъухэр гурыхьщ, зи дэкIуэгъуэ яIэщи, Iэпщэ измыщIэу хъунукъым, жаIэ. Псэлъафэр ХьэтIохъущыкъуейхэм ноби зэрахьэ. IэхъуэкъешхэкI — Iэхъуэр унащхьэ чэзууэ щагъашхэкIэ, IэхъуэкъешхэкI ещI, жаIэ. Къалэдэсхэм къахьыжа псалъэщ. IукIафIэ — гум дыхьэ, гуапэу жыIа хъуа псалъэ. И хъуэхъури зэпэщщи, и псалъэри IукIафIэщ, фIы зыхуищIэн, жаIэ хабзэщ цIыхум и псэлъэкIэр гурыхь зыщыхъуа цIыхубз нэхъыжьхэм. Щоджэнхьэблэхэм ноби зэрахьэ псалъэщ. IукIей — гуемыIу псалъэ. IукIейщи, и псалъэр гум тегъэхуэгъуейщ, жаIэ. Щоджэнхьэблэхэм зэрахьэ. ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100195.txt" }
Хэкупсэ нэсу дунейм тетащ Тэмазэ Владимир ЦIыхум иIэнкIэ хъуну хъугъуэфIыгъуэ нэхъ инхэм, лъапIэхэм ящыщщ ар щалъхуа щIыналъэр. «Хэку» псалъэ кIэщIым куэдым ди гумрэ ди псэмрэ къыщигъэуш гурыщIэри гуащIэщ икIи лъэщщ. Абы текIуэфын къаруи щымыIэми ярейщ, сыту жыпIэмэ зи хэкур фIыуэ зылъагъу цIыхум абы и ехъулIэныгъэмрэ зэпэщыныгъэмрэ папщIэ имыщIэфын щыIэкъым, ар, хуей хъумэ, щытынущ абы и къыщхьэщыжакIуэ нэсуи. Зи гугъу сщIы хьэлхэмрэ щэнхэмрэ дэплъагъуу, «хэкупсэ» псалъэр зыхуэкIуэпсу Тхьэм къыхуиуха и дэтхэнэ махуэри езыхьэкIахэм яхуэдэт дзэ къулыкъум къыхэкIыжа полковник, пщIэрэ щIыхьрэ жылагъуэм щызиIэу псэуа, цIыху щыпкъэ икIи гуапэ, нэхъыжьыфI Тэмазэ Владимир Хьэмид и къуэр. Коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм зи гъащIэр мы гъэм къызэпиудахэм ящыщщ ар. Псэужамэ, абы и ныбжьыр бадзэуэгъуэм и 30-м илъэс 85-рэ ирикъунут. Прохладнэ щIыналъэм хиубыдэ Къэрэгъэш къуажэм къыщалъхуащ Тэмазэ Владимир. Абы и адэ Хьэмид Хэку зауэшхуэм хэтащ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу. Днепр псым и Iуфэм щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм хэту, ар уIэгъэ хьэлъэ хъуат икIи, уIэгъэщым куэдрэ щIэлъа нэужь, дзэм къыхагъэкIыжащ. Зауэ нэужь лъэхъэнэм Хьэмид щылэжьащ я къуажэм дэт курыт школым, егъэджакIуэу, школ унафэщIу щытащ. Владимир жиIэжу зэрыщытамкIэ, адэм быным куэдрэ яхуиIуатэрт фронтым, зауэм, хэкур фIыуэ лъагъунымрэ ар бийм щыхъумэнымрэ я мыхьэнэм ятеухуа хъыбархэр. А псоми зэрыцIыкIу лъандэрэ щIэдэIуа щIалэщIэм гурэ псэкIэ зыхищIащ хэку лъагъуныгъэр, зыщыщ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэм, щэнхабзэм, тхыдэм пасэу дахьэхащ. Хабзэхъумэ IэнатIэм щылэжьэну мурад щищIари а лъэхъэнэрауэ къыщIэкIынущ Владимир. Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Тэмазэм дзэм къулыкъу щищIащ, Хэкум и пащхьэм щиIэ къалэнхэр къызыхуэтыншэу, щытхъу пылъу зэрызэфIихыным хущIэкъуу. Спортым дихьэх, бэнэкIэ хуитымкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьа щIалэ Iэчлъэчым тренерхэм чэнджэщ къратат спортым нэхъ куууэ зритыну, арщхьэкIэ Владимир и гум илъыр нэгъуэщIт: Хэкум адэкIэ къулыкъу хуэщIэнырт. А мурадыр и гъуэгугъэлъагъуэу ар къулыкъу нэужьым щIэтIысхьащ Житомир къалэм дэт, Бэракъ Плъыжь зезыхьэ, ПВО-м и дзэхэм я радиотехникэ училищэм икIи зыщIэхъуэпса IэщIагъэр абы щызригъэгъуэтащ. Псори хэту илъэс 28-кIэ хэтащ Тэмазэр дзэ къулыкъум. Рядовойуэ щIэзыдза щIалэщIэр полковник къулыкъум нэсащ. IэщIагъэ зригъэгъуэта нэужь, япэ илъэсхэм Владимир къулыкъу щрихьэкIащ Архангельск областым щыIэ Плесецк жылэм. Мирный фIэщыгъэр зиIэ дзэ къалэ цIыкIум, нэхъапэм «Ленинград-300»-кIэ зэджэу щытам, и «Байконур» космодром цIэрыIуэм и хъыбар зымыщIэ балигъ гъуэтыгъуейщ. Мис аращ къулыкъур щрихьэкIар а лъэхъэнэм Тэмазэм. Хьэуа-хьэрш къарухэм (ВКС) я ракетэдзэхэм хэта адыгэ щIалэр мызэ-мытIэу ихуащ псэзэпылъхьэпIэхэм, атIэми апхуэдэ хъыбархэр абы и унагъуэм къыщащIэр зэрыкъэралу хэIущIыIу щыхъуа нэужьт, унэм щIэсхэм я гумрэ я псэмрэ абы апхуэдизу ихъумэрти. Къулыкъум пэрыту ар щIыпIэ куэдым щыIащ, хамэ щIыналъэхэри хэту. Пщэрылъ къыхуащIа дэтхэнэ къалэнымкIи жэуаплыныгъэ зыхэзыщIэ Тэмазэ Владимир ягъакIуэрт нэхъ IэнатIэ гугъухэм. Апхуэдэхэрт ар здэщыIа Воркута, Ямал, Диксон, Анадырь, Иосиф Франц и щIыр. Къыхуихуащ Кариб зэпэщIэувэныгъэм и лъэхъэнэм Кубэм кIуэнуи, Венгрием щекIуэкIа зэщIэхъееныгъэм щыгъуэ абы щыIэнуи. Апхуэдэ Iуэхугъуэ ткIийхэм мызэ-мытIэу хэта ди лъахэгъум и нэгу щIэкIащ бэлыхь куэд. Дапщэщи абы и гум ихуртэкъым щалъхуа щIыналъэмрэ и адэжь хэкумрэ. Мирный къалэм илъэс куэдкIэ дзэ къулыкъур щрихьэкIа нэужь, Тэмазэр Новая Земля жыхуаIэу щыта, «Архангельск-55» фIэщыгъэр зиIэу къекIуэкIа щIыпIэм ягъэкIуащ. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытами, адыгэлIым зэрихабзэу, Тэмазэ Владимир адрейхэм къахэщырт хэлъ зэпIэзэрытагъымкIэ, жэуаплыныгъэмкIэ, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу зэрыщытымкIэ. Хэкупсэ нэсым лъэкI лъэпкъ къигъэнакъым ди къэралым и зыхъумэжыныгъэр нэхъри гъэбыда хъунымкIэ. Дзэ къулыкъур Тэмазэм 1982 гъэм къыщиухащ Мурманск къалэм. ЗэфIэкI лъагэ иджыри зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI Iэзэм къыжраIат а щIыпIэм иджыри илъэситхукIэ къулыкъу щищIэну, арщхьэкIэ Владимир триухуакIэт щалъхуа щIыналъэм къэкIуэжу фIыуэ илъагъу ди республикэм и ехъулIэныгъэм и къару ирихьэлIэну. Зыпэрыта къулыкъухэр хьэлэлу, къызыхуэтыншэу зэрырихьэкIам, дзыхь къыхуащIа къалэн псори тэмэму зэфIигъэкIыу зэрекIуэкIам къыпэкIуэу Тамазэ Владимир мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ IэнатIэм къыбгъэдэкI дамыгъэ лъапIэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 80 гъэхэм я пэщIэдзэм Тамазэр и унагъуэр и гъусэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэIэпхъуэжащ. СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я ветераныр, дзэ къулыкъум къыхэкIыжа полковникым и Iэ зэтедзауэ тIысыжакъым. Зи ныбжьыр илъэс 50-м нэмыса, иджыри зи къару илъ, зэфIэкI зыбгъэдэлъ хэкупсэм лэжьыгъэфI къыщрихьэлIащ ди республикэми. Налшык къалэм и ветеран зэщIэхъееныгъэм жыджэру зэрыхэлэжьыхьам къыдэкIуэу, ар щытащ къалащхьэм и «Куротпромторг»-м и унафэщIу, абджхэкIхэм щелэжь IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэу, иужькIэ абы и пашэу. «Телемеханика» заводышхуэм и къудамэм и унафэщI къалэнри илъэс зыбжанэкIэ ирихьэкIащ. Зэрихабзэу, сыт хуэдэ IэнатIэри пэжу, къызыхуэтыншэу ирихьэкIащ Тэмазэм. ЦIыху хэтыкIэ екIуи иIэт Владимир. ГушыIэ дахэ зыхэлъ, удэзыхьэх бзэ зыIурылъ цIыху щыпкъэм псэлъэгъур дихьэхырт, къыбжиIэжыни зытепсэлъыхьын Iуэхугъуэ хьэлэмэт куэди и мащIэтэкъым. Гуапагъэрэ хуабагъэрэ къызыбгъэдэкI цIыхуу зэрыщытым къыдэкIуэу, Тэмазэр щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд зыбгъэдэлът, тхылъ еджэн зыфIэфIт, зэхэщIыкI куу зиIэт. Псом хуэдэжтэкъым абы щалъхуа щIыналъэмрэ и Къэрэгъэш къуажэмрэ яхуиIэ лъагъуныгъэр. Къэрэгъэш щекIуэкI сыт хуэдэ Iуэхугъуэшхуэми хэтыну, хузэфIэкI хилъхьэну дапщэщи хущIэкъуащ. Езыр щымыIэжми, а псори ящыгъупщэркъым икIи хэкупсэр псалъэ гуапэкIэ ягу къагъэкIыж и къуажэгъухэм. Унагъуэ дахи иухуат Тэмазэ Владимир. Абырэ и щхьэгъусэ Любэрэ (ар Хьэжырокъуэхэ япхъут) къащIэхъуат хъыджэбзитI: Динэрэ Еленэрэ. Динэ республикэ телевиденэм и продюсер центрым и унафэщIщ, Еленэ Санкт-Петербург що29псэу икIи щолажьэ, уней рекламэ-полиграф агентствэ иIэу. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, пщIэрэ нэмысрэ яку илъу, нэхъыщIэхэм щапхъэ яхуэхъуу илъэс 55-кIэ зэдэпсэуащ зэщхьэгъусэхэр. Коронавирусым ихьащ абыхэм я гъащIэр: мы гъэм и мазаем и 19-м дунейм ехыжащ Владимир. И щхьэгъусэр зэрыщымыIэжыр имыщIэу, тхьэмахуэ дэкIри, абы кIэлъыкIуэжащ Люби… Бынхэми, благъэхэми, Iыхьлыхэми, унагъуэм ныбжьэгъуу яIахэми — псоми я дежкIэ гуауэшхуэ хъуащ Тэмазэ зэщхьэгъусэхэм я щымыIэжыныгъэр. Владимиррэ Любэрэ къагъэна лъэужь нэхур куэдрэ хремыгъуэщэж. Абыхэм я вагъуэм идз бзийхэр гъуэгугъэлъагъуэ яхурырехъу унагъуэм къихъуэ щIэблэхэм. ДАДЭ Суфэдин, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ и комиссэм и унафIэщI.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100198.txt" }
Японхэм бжьыпэр яутIыпщыркъым XXXII Гъэмахуэ Олимп джэгухэм Урысейм и олимп спортсменхэм иужь махуитIым я медалхэм щыхагъэхъуащ. АрщхьэкIэ ахэр иджыри еплIанэщ — бжьыпэр зыIыгъыр Япониеращ. Рылов Евгений Ларин Владислав и хьэрхуэрэгъур хегъащIэ Бадзэуэгъуэм и 27-м ди олимп чемпионхэм къахэхъуащ Рылов Евгений. ЩIыбкIэ телъу метрищэкIэ псым щесым ар япэу къэсащ. Абы зы мэскъалкIэщ къызэрыкIэрыхуар нэгъуэщI ди хэкуэгъу Колесников Климент. Аращ дыжьын медалыр зылъысар. Токио щекIуэкI зэхьэзэхуэшхуэм еханэ дыщэр къыщытхуихьащ спорт гимнастикэмкIэ Урысейм и олимп спортсменхэм я цIыхубз командэ къыхэхам. Ар хуабжьу дызыпэплъа Iуэхугъуэщ. КIэщIу абы иужь иту нэгъуэщI хъыбарыфIи къэIуащ — тхэквондист Ларин Владислав олимп чемпион хъуащ. Килограмм 80-м щIигъухэм я зэпеуэм и финалым абы 15:9-уэ щыхигъэщIащ Македонием щыщ Георгиевский Деян. Ди къэралым икIахэм ящыщу Токио япэу дыщэ медалыр къыщызыхьа Бацарашкинэ Виталинэ етIуанэри зыIэригъэхьэным зымащIэ дыдэщ иIэжар. АрщхьэкIэ Черноусов Артём дэщIыгъуу зыхэта пневматикэ кIэрахъуэмкIэ метрипщI зи жыжьагъ нэщанэм еуэнымкIэ зэпеуэм хэгъэрейхэр япэ къыщрагъэщащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм дыжьын медалхэр къахьащ Урысейм и олимп спортсменхэм я цIыхухъу командэ къыхэхам псым есынымкIэ метр 200-р захъуэжыурэ плIэнейрэ къыщызэпача зэхьэзэхуэм. Токио ещанэ увыпIэр дзюдомкIэ зэхьэзэхуэм щиубыдащ Таймазовэ Мадинэ. Килограмм 70-м нэс зи хьэлъагъхэм домбеякъ медалым папщIэ къеныкъуэкъуа Хорватием щыщ Матич Барбарэ абы тридзащ. Официальнэу щымыт гуп зэпеуэм хэгъэрейхэм бжьыпэр зэрыщаIыгъщ. Абыхэм я дыщэ медалхэм иужь махуитIым иджыри 5 хагъэхъуащ. Японием и спортсменхэм зы закъуэкIэщ къазэрыкIэрыхур китайхэр. Абы щыгъуэми адрей медаль лIэужьыгъуэхэмкIэ я гъунэгъухэр япэ къитщ. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм дамыгъэ нэхъыбэ дыдэ (31-рэ) къахьащ. АрщхьэкIэ олимп чемпиону абыхэм зэкIэ яхэтыр 11-щ. Урысейм икIахэр зэрыеплIанэщ. Къаудыгъу Заур.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100201.txt" }
Балигъ мыхъуахэм я хуитыныгъэхэр хъумэным теухуауэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ балигъыпIэ имыувахэм яхуэгъэза хабзэхэр къызэпемыгъэудыным теухуа Iуэхухэм щыхэплъа зэIущIэ. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Лъынэ Светланэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэ ЛIуп Индрис. Лъынэ Светланэ зэIущIэм хэтхэр щыгъуазэ ищIащ сабийхэм ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъун и лъэныкъуэкIэ зэфIагъэкIхэм, балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ комиссэхэм, адэ-анэхэм я къалэнхэр я пщэ далъхьэжауэ сабийхэр зи нэIэ щIэтхэмрэ ныбжьыщIэхэм я Iуэху зытетым кIэлъыплъ органхэмрэ я лэжьэкIэм. КIуэкIуэ Казбек пщэрылъ ящищIащ сабийхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымрэ я сэбэп зыхэлъхэм къащхьэщыжыным, зыхуей хуэмызэ унагъуэхэм щапI ныбжьыщIэхэм я нэIэ трагъэтыным хуэгъэзауэ республикэм щыIэ хабзэхэр, мардэхэр зэпалъытыну. Апхуэдэуи абы къалэну яхуигъэуващ зы тхьэмахуэм къриубыдэу, КъБР-м и Правительствэм балигъ мыхъуахэмрэ абыхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ щыIэ комиссэм и зи чэзу зэIущIэм ирихьэлIэу, абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным хуэщхьэпэну чэнджэщхэр ягъэхьэзыру къыхалъхьэну. Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ сабийхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ жэуап зыхь IэнатIэхэм я лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьэн, унагъуэр социальнэ и лъэныкъуэкIэ зыIууэ гугъуехьхэр къэгъэнэIуэн зэрыхуейр, апхуэдэуи, адэ-анэхэм, е абыхэм я пIэкIэ щIэблэм якIэлъыплъхэм я къалэнхэр тэмэму щамыгъэзащIэ къэхъумэ, апхуэдэхэр къыщIэгъэщауэ и чэзум унафэ зэрытещIыхьыпхъэр.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100209.txt" }
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм Гупсысэ кIэщIхэр ЕхъулIэныгъэр уафэм къехуэхыркъым ГурыщIэр — гушыIэжьейкъым, дыхьэшхэн ухъуну ухуэмеймэ, псоми яхуумыIуатэ. УусакIуэмэ — ар нэгъуэщI Iуэхущ: цIыхур уи гу пцIанагъэм есэжащи, къыпхупыгуфIыкI мыхъумэ, къыпщыдыхьэшхыжыркъым (гущIэгъу къыпхуещI). * * * Гужьгъэжь, лъагъумыхъуныгъэ цIыху гуэрхэм яхудиIэху, а цIыхухэм нэхърэ нэхъыкIэ дызэрыхъур тщIэжу е зыдумысыжыфу щытамэ, ди уэредадэт! * * * Гу хьэлэл-псэ къабзэм пцIыи псалъэ фIеи кIэрызагъэркъыми, зэхэщIыкI лъагэ зиIэр уубкIи къызэрыфIэIуэху щыIэкъым; псом хуэмыдэу ар творческэ цIыхумэ, и зэфIэкIым, и IуэхущIафэм, хигъахъуэ мыхъумэ, хигъэщIыркъым. Апхуэдэ цIыхухэр зымыгъэпсэууэ кIэрыхъыжьэми пщIэншэу и зэман егъэкIуэд, ауэ псэкIэ зызымыужьам, лIы мыхъум, цIыху гъэикIэным и насып къыхэкIыну хэзылъагъуэм, абы дэрэжэгъуэрэ гукъыдэжрэ къриту къызыщыхъум зыри пхуещIэнукъым… Ахьмакъ Iуэхуншэм а хьэл мыгъуэр къытепхмэ — лIэни!.. * * * ГъащIэр псыежэхыу щIыжаIэр псымрэ гъащIэмрэ псынщIэу зэрыжэр арауэ фIэкIа япэм нэгъуэщIу къызгурыIуэртэкъыми, иджы фIы дыдэу къызгурыIуащ: дунейм теткъым псым фIейуэ (пхъэнкIийуэ) хамыдзэ, гъэкIэрэ щызэтримыхьэ… * * * Дахагъэр, хабзэр, пщIэ-нэмысыр, хьэл-щэныфIагъэр, дуней псор къызэхэпкIухьами, зыщIыпIи щыбгъуэтынукъым — умылъыхъуэ, укъыщыщIэкIым ахэр уи унэм къыздыщIумыхамэ. * * * Дэ псоми цIыхуфI ткIуэцIысщ, гу хьэлэл-псэ къабзэ иIэу, ауэ дунейм къытехьэну таучэл щищIыр зэзэмызэххэщ, — нэгъуэщIым къыгурымыIуэнкIэ, ауан къащIынкIэ мэшынэ. * * * Дэтхэнэ цIыхуми фIыуэ хэлъыр хэплъэгъуэныр Iущыгъэм и нэщэнэщ; Iейуэ хэлъым, и ныкъусаныгъэ-щыщIэныгъэхэм фIэкIа хэзымылъагъуэм псэкIэ зиужьауи, езыр цIыхуфIыуи жыIэгъуейщ. * * * ЕхъулIэныгъэр уафэм къехуэхыркъым. Ар гугъэм пыщIащ. Гугъэр — фIы и лъэныкъуэкIэ хъуэпсапIэщ. ХъуэпсапIэр — Iуэху хэмылъу зэфIэкIыркъым. Iуэхум и кIэухыр зэхъуэкIыныгъэщ. Уи гъащIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжамэ — уи гугъэм утеIэбэжащ. Уи гугъэм утеIэбэжамэ — узыщIэхъуэпсар къохъулIащ. Ауэ щыхъукIэ, гугъэм и кIэухыр — ехъулIэныгъэщ. Гугъэурэ лIэжащ, жиIэмэ — и гъащIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зимыхъуэжауэ аращ. * * * Зэманыр шыщхьэмыгъазэ-шэ цIывауэ макIуэ… ТIэкIу нэхъ хуэм зищIыну, къызэплъэкIыу ди зэхэтыкIэм Iуплъэну укIытэу къыщIэкIынущ. Хьэту Пётр. ГушыIэ Дзажэ пшэрым урезгъэхьэхынщ Хъуэжэ мэжэлIауэ и хэгъэрей гуэрым деж еблагъэри, ягъэшхэну елъэIуащ. — Иджыпсту хьэзыру мырамысэ гъущэ фIэкIа зыри симыIэ, — жиIэри уэнжакъым дзажэ гъэгъуа фIэлъ пэтми, унэгуащэм Хъуэжэ мырамысэ къудей къыхутригъэуващ. Абы мырамысэр ишхыу щIидзащ. АрщхьэкIэ мырамысэ гъущэ пхуэшхынт — и тэмакъым тенэурэ хуегъэхыртэкъым. Абы нэмыщIауэ лым и мэр къыщIихьэрти, Хъуэжэ жиIащ: — Мырамысэ, мырамысэ, уехынумэ ех, уемыхынумэ, мо уэнжакъым фIэдза дзажэ пшэрым урезгъэхьэхынщ! Ар зэхэзыха унэгуащэр укIытэжри жиIащ: — Сигу къэкIыжатэкъым, на, дзажэр зэрыдиIэр, — икIи лы хуигъажьэри иригъэшхащ. Махуэ Iэлисэхь. Къуажэхьхэр Унэр пэкIэ зыщI Нэхущ сыхьэт, Сыхьэт щIамыIуантIэ. Мэл хъушэм и пашэ, Пашэ мышынэ. ЖэщкIэ лъэтэрей, Жейуэ хэлъым щыхьэрей. Жыг щхьэкIэр зи унэ, Унэр пэкIэ зыщI. ЩIыIэ хъуамэ, ди щыгъын, Хуабэ хъуамэ, хъуным ихъу. Уэшхым къыдаIэт, Iэтауэ кърахьэкI. ЖЭУАПХЭР: Адакъэ. Ажэ. Аргъуей. Бзу. Джэдыгу. Жьауэ. Зэхэзылъхьар Щоджэн Леонидщ. ЛIэщIыгъуэхэм я лъэужь Пхъэлъантхъуэ Адыгэ пщIантIэхэм иджыри къэс ущрохьэлIэ къудамэ цIыкIу куэд зытет пхъэ джафэхэм. ПхъэлъантхъуэкIэ йоджэ абыхэм. Лы, унагъуэм къыщагъэсэбэп хьэпшып фIадзэу щытащ апхуэдэхэм нэхъапэм. Нэхъ узэIэбэкIыжыIуэмэ, пхъэлъантхъуэм тхыдэ хьэлэмэт иIауэ къыщIокI… Адыгэхэм иджыри къэс ягъэлъапIэ гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэр, ар илъэсыщхьэу къалъытэ. Хъан-Джэрий зэритхыжамкIэ, унагъуэ къэс пхъэлъантхъуэ зырыз зэрахьэрт, Созрэщ и пхъэлъантхъуэкIэ еджэу. Ар хьэмкIутIейм е кхъужьейм къыхащIыкIырт, илъэс хъурейм гуэным щахъумэрт, гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэм и пщыхьэщхьэм гуэным кърахырт. Пхъэлъантхъуэр гуэным къыщрахкIэ я пашэр нысащIэт. Гуэныбжэм бгъэдыхьэрти, нысащIэм жиIэрт: «Созрэщ, бжэр Iухи, дыныщIэгъэхьэ!» Бжэр «къызэIукIырти», нысащIэм пхъэлъантхъуэр къищтэрт, абы и къудамиблым тегъэпщIа шэху уэздыгъэхэр пагъанэрти, унэм щIахьэрт, жыхафэгум трагъэувэрти, езыхэр къетIысэкIыжырт, зыхуагъазэурэ тхьэ елъэIурт: «Я дэ ди Тхьэу Тхьэшхуэ, гъэфI къыдэт, ди гъавэр гъэбагъуэ, мафIэм дыщыхъумэ…» А пщыхьэщхьэм Созрэщ къигъэзэжауэ къалъытэрт, илъэс хъурейм хы гущIыIум тетауэ; Созрэщ къыщигъэзэжа махуэм гъэрэ щIырэ зэхэкIауэ къалъытэрти, жылэм я гуфIэгъуэт, джэгушхуэ, тхьэлъэIу ящIырт. Созрэщ нэмыщI, пасэрей адыгэхэм тхьэуэ е тхьэпэлъытэу яIащ Мэзытхьэ (мэз псэущхьэхэм я тхьэ), ЗекIуэтхьэ (зекIуэлIхэм, гъуэгу тетхэм я тхьэ), Хыгуащэ (хым и тхьэ), Псыхъуэгуащэ (псым и тхьэ), нэгъуэщIхэри. Уафэм, дунейм и къэхъукъащIэхэм я тхьэр Уащхъуэт, уафэгъуагъуэм, уафэхъуэпскIым я тхьэр Щыблэт, цIыхум и гъащIэр, и псэр зи IэмыщIэ илъыр Псатхьэт. Мэкъумэш зыщIэхэм тхьэуэ ялъытэр Тхьэгъэлэджт, Iэщ зыгъэхъухэм — Амыщ, гъукIэхэм — Лъэпщ. Къартул Хьисэ. Псалъэжьхэр Гум имылъ жьэм къиIуатэркъым Iуэхур жыIэгъуафIэ щхьэкIэ — щIэгъуафIэкъым. Хамэ пщIэнтIэпс хъер хъуркъым. Бзури и абгъуэ щытепщэщ. Дахэм къимыхь Iейм къихьыркъым. Делэ лIыкIуэ умыщI. Гум имылъ жьэм къиIуатэркъым. Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым. ХьэщIапIэр фIыми, уи унэжь нэхъыфIыжщ. Мыщэм зыщихъумэурэ мащэм ихуащ. Ныбэр нэщIмэ, лъакъуэр щIэкIыркъым. Пкъымрэ псэмрэ зэIэпыкIыгъуейщ. Псалъэ гуапэ гугъэдахэщ. Псалъэм и пэр умыщIэу и кIэр пщIэркъым. Псым хэлъ пхъэр мэфри, фэм дэлъ гур мэбампIэ. Кхъахэ хъуари кхъэм ехъуапсэркъым. Къапхъэнми имыгъапцIэ иубыдыркъым. Къалэн зыщыпщIыжыр къалэн пхуохъу. Къундэпсо гуащIэм кхъуэщыныр зэрегъэкIуэкI. МазэщIэр куэдрэ блэркъым. МафIэншэри гъавэншэри зэлъытащ. Ди анэм къиIуэтэжа хъыбар ЛIыжь цIыкIумрэ пщымрэ Пасэм щыгъуэ ди къуажэм дэсащ зы лIыжь цIыкIу. Ар хуабжьу гушыIэрейт, зыгуэр ауан ищIыну е щIэнэкIэну иужь ихьамэ, абыкIэ къыпэлъэщын жылэ кIыхьым къыдэкIынутэкъым. Псом хуэмыдэу абы фIыуэ илъагъур пщы пагэхэмрэ уэркъ зызэфIэзышхэмрэ ехъурджэуэнырт, заригъэцIыхужынырт. ЛIыжь цIыкIур зэрыIуэрыIуэдзыр ящIэрти, пщыхэми абы зыщадзейрт, зыгуэркIэ игу къыдэбгъэрэ хъуэн къэдлэжьмэ жари. Зэгуэрым псы икIыпIэм деж цIыхушхуэ щызэтрихьат. Абы ирихьэлIэу пщы щIалэщIэ къыIухьащ, ишкIи и IэщэфащэкIи екIуу зэгъэпэщауэ. Пщы щIалэщIэм ибгъу зырызымкIэ бейгуэлитI къыщытт. Ар егъэлеяуэ пагэт, нэрылъагъут и щхьэ трилъхьэмрэ и напщIэ телъымрэ хуэдиз зэрыкъуэмылъыр. Псы икIыпIэм щытхэм яхэтт ди къуажэгъу лIыжь цIыкIу гушыIэрейри. Мо пщы пагэр щилъагъум лIыжь цIыкIум ину, псоми зэхахын хуэдэу, жиIащ: — Я дэ ди Тхьэ, мы сэ слъагъур сыт? Ярэби, мыпхуэдэ щIалэ екIу, мыпхуэдэ цIыху зэкIуж щыIэжу си гугъакъыми! Тобэ, тобэ, адыгэу пIэрэ? Хэт къызжиIэн мы щауэр къыздикIа щIыпIэр? И насыпкъэ апхуэдэкъуэ зиIэ адэм! Хьэуэ, зи унэ насыпкIэ къибгъар ар къызыхэкIа лъэпкъырщ! КъызжыфIэ, хэт хъуну мы жэщи махуи тхьэ сызыхуелъэIуну щIалэ къуданыр? ЛIыжь цIыкIум гу лъитащ пщым и напщIэр мащIэу зэрыхэлъэтам икIи нэбгъузкIэ къызэрыхуеплъэкIам. ЦIыхухэми ялъэгъуащ пщыр и гъусэхэм зыгуэркIэ зэреупщIар. ЗэрыхуагъэфэщамкIэ: «Хэт апхуэдизу хъийм икIауэ зигу срихьа, зи псэм сыдыхьа лIыжь цIыкIур?» — жиIэу щIэупщIауэ арат. Ар къыщыгурыIуэм, лIыжь цIыкIум нэхъри тригъалэу щIидзащ: — Дауэ? Ди къуажэпщым и щIалэуи?! Е Алыхьым насыпыр зрита пщышхуэ, апхуэдэ щIалэ уиIэу хэт и гугъэнт. Нобэ сылIэми, солIэ жысIэнкъым апхуэдэлI адыгэм щыдиIэкIэ! АтIэми, ди къуажэу! Ауэ сытым щыгъуэ иджы ар сэ щыслъагъунур? НэгъуэщI мыхъуми и сурэтыр сщымыгъупщэну си нэгу щIэтамэ аратэкъэ! Ар зытесым хуэдэ зы шы-уанэ зэтелъ сиIатэмэ, сэ си Iуэхут абы и сурэтыр сщыгъупщэжтэмэ… Ауэ мыгъуэ, сэ факъырэм дэнэ къисхын апхуэдэ хуарэ, апхуэдэ адыгэ уанэ?.. ЛIыжь цIыкIум и мурадыр къехъулIащ. ЕтIуанэ махуэм пщым и лIыщIитI къэкIуащ, шы-уанэ зэтелъ зэгъэпэща къыхуашэри. Ар пщыр апхуэдизу гунэс зыщыхъуам къыхуищIа саугъэтт. ЛIыжь цIыкIум иджыпсту жиIэ псори къанэ щымыIэу пщым зэрыжраIэжынур тэмэму ищIэу къригъэжьащ: — Я дэ ди Тхьэ, мыр сыту саугъэтышхуащэ сэ схуэдэ мэкъумэшыщIэ тхьэмыщкIэжь дежкIэ. Ди къуажэпщым и щIалэм и закъуэщ апхуэдэ псэ хьэлэл зиIэу мы дунеишхуэм тетынкIэ хъунур! Ауэ сыт иджы сэ факъырэм сщIэнур? Мы шым и цыр мыпхуэдэу цIуужу схузехьэну пIэрэ, выгу зэщIэщIа симыIэу? СыткIи сывэн, сыткIи сысэн мыбы езгъэшхын зэнтхъ сиIэн щхьэкIэ? Аргуэру лIыжь цIыкIум и мурадыр къехъулIащ. ЕтIуанэ махуэм пщым абы выгу зэщIэщIа къыхуригъэхуащ. Ар щилъагъум, лIыжь цIыкIур пщым и къуэм щытхъури, и нэпсыр къекIуауэ жиIащ: — Сыт мыгъуэкIэ сэбэп шы-уанэ зэтелъри, ушэсу уэрамым удыхьэ щымыхъунукIэ? — Сыт щIэмыхъунур, ди адэ? — ягъэщIэгъуащ пщым и унэIутхэм. — Дауэ пщым къысхуригъэша а шы дэгъуэм сышэсын мы си щыгъын бацэхэмкIэ? — щэтащ ар. — Апхуэдэшым екIу фащэ, жи! ЖаIэж етIуанэ махуэм лIыжь цIыкIум фащэ екIу щыгърэ мо шы зэгъэпэщам тесу уэрамым къыдыхьауэ. Апхуэдэу абы и къуажэгъухэм я фIэщ ищIыгъащ я пщыр зэрыделэр. Къэзан Хьэмзэт. Дыщалъхуа щIыналъэм Налшык щхъуантIагъэм и къалэщ. Лъэпкъ шхыныгъуэхэр ШхукIэ щIа лэкъум Шху гуащIэм шыгъу, джэдыкIэ цIынэ, содэ, фошыгъу, сэхуран дагъэ халъхьэ, мафIэм трагъэувэри, зэIащIэурэ и хуабагъыр градус 35-рэ хъуху трагъэт, содэмрэ фошыгъумрэ ягъэткIуху. Шху хуэбар гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIам хакIэри, тхьэв япщ, хъыдан трапхъуэри, хуабапIэм щагъэтщ дакъикъэ 20 — 30-кIэ. ИтIанэ Iэнэмрэ хупхъэмрэ сэхуран дагъэ щахуэ, тхьэвыр мм 3 — 4 и Iувагъыу хупхъэкIэ яхури, сэкIэ зэпаупщI. Лэкъумыр сэхуран дагъэкIи тхъукIи бгъажьэ мэхъу. Тхьэв зэпыгъэжар фIыуэ къэплъа дагъэм халъхьэри, тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. Лэкъумыр щабэу, пIэрэпIэщэжу щытын хуейщ. Шатэ, фо, шей щIыгъуу хуабэу яшх. Халъхьэхэр: гуэдз хьэжыгъэу — г 700, шхууэ — г 400, джэдыкIэу — 1, шыгъуу, содэу, фошыгъуу, зэрагъэжьэну дагъэу — зыхуейм хуэдиз. Фоупсым хэгъэвыхьа дэ купщIэ Дэ купщIэр яуб е лыхьэжым щIагъэкI, тебэ е шыуан гъущэм мыIув дыдэу иралъхьэ, мафIэм трагъэувэри, бэлагъкIэ зэIащIэурэ, дыщафэ хъуху, мэ гуакIуэ къищтэху ягъэлыгъуэ. Ар яухуэнщI, зэIащIэурэ фо къэплъам хакIутэ, зэ къытрагъэкъуалъэри къытрахыж. ТIэкIу зэрыупщIыIуу кIэструлым е кхъуэщыным иракIэ, и щхьэр тепIауэ щIыIапIэ ягъэуври, зыхуейм хуэдиз къыгуахыурэ яшх. ЩIыIэ зыхыхьахэмрэ зи тхьэмщIыгъу узхэмрэ я дежкIэ сэбэпышхуэщ. Лэкъум хуабэ, щIакхъуэ дашх, шей драф. Халъхьэхэр: фоуэ — г 300, дэ ущэбауэ — г 150-рэ. «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ. ЖыIэгъуэхэр Iуамыхыф IункIыбзэ щыIэкъым Зыри зумыщIэфыну Iуэху гуауэр, лIыгъэ зыхэлъхьи, шэч. ФIей хъуа псэр пхуэгъэкъэбзэжынукъым. Аргъынэ уэдым Iэмбатэ пшэр зэи къуитынукъым. Сыт хуэдэ удзми езым и гъэгъэкIэ иIэжщ, дэтхэнэ цIыхуми езым и псэукIэ зэриIэжым ещхьу. Адэ-анэр зымыгъэпэжым пэжыныгъэкIэ ущымыгугъ. ИкIи ужьмэ, икIи ужьеймэ, хэт уи гугъэ къыпхуеижыр? Шынэ зымыщIэ цIыху щыIэкъым, укIытэ зымыщIэщ щыIэр. Зэ узыпхыхуа мылым етIуанэу утемыхьэжи нэхъыфIщ. Зи зэманыр къызэмэщIэкIыр зэгъэзэхуэкIэ зымыщIэрщ. Мылъку фIэкIа илъагъу хъууэ дунейм зыри теттэкъым. Зэзэмызэ зуплъыхьурэ псалъи, зэзэмызэ гупсысэурэ тIыс. ЩIыхуэ къищтэурэ унэ ищIати, унэр ищэжри, щIыхуэр ипшыныжащ. Зыгуэр хуэныкъуэу къэмыхъуам гукъеуэ щыIэу ищIэркъым. Iей гуэр къыбдэзыщIэр ижэгъу умыщIи нэхъыфIщ. ЩIым щIамытIэф, псалъэ къищынэмыщIа, щыIэкъым. Акъылым и пэ бзэгур илъадэмэ, Iуэхур зэIыхьэпауэ бжы. КIурашын Алий. Псалъэзэблэдз ЕкIуэкIыу: 1. «Си нанэ, а хьэлъэзехьэхэрщ нобэкIэ къызэдэхащIэр, «зеиншэщ мы … цIыкIур», жаIэурэ Iэ къыздэзылъэр» — ЩоджэнцIыкIу Алий и усэ цIэрыIуэ «Нанэм» щыщ. 4. ЛъапсэщIэм … набжи хэлъкъым. 7. Уи бзэгур къэзыс гуэр. 9. Хьэкъущыкъу. 10. Ерыскъы … Е гум фIэфI гуэр. 11. Цым, цым, цым, … лъэбыцэжь. 12. Удын зэхэдзэ нэхърэ — … зэхэдзэ. 13. Iуэху мыублэ … хэсщ. 15. Пхъэ дзакIэ папцIэ цIыкIунитIэ. 17. Сабийр … хъухункIэ жеящ. 19. … зытеха къэбыр пшхыну нэхъ IэфIщ. 20. Бадзэшхуэ. 21. Адыгэ генерал. 24. МахуэцIэ. 25. … тхьэIухудым щIалэхэр хьэщыкъ къищIащ. 26. Ди гъунэгъум и … къикIащ: къулыкъуфI къратащ. 28. ХадэхэкI трасэн хьисэпкIэ унагъуэм ягъэщэба щIы Iыхьэ. 30. «Семыгупсысу дыгъуасэ псалъэ дыдж зэроздзар уи жагъуэ …», — зэлэжьэгъу лIитIым я зым зыхуегъазэ адрейм. 32. Балигъ мыхъупа цIыхухъу. 33. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ. 34. Iэпслъэпсым щыщ. 35. Бий гущIэгъуншэр къуажэм къыщыблагъэм, жылэр … ихьэжащ. 36. Бжэныфэм къыхаха Iуданэ. Къехыу: 2. … Ипщэ къуажэ. 3. Фэм псы дищIэу къэушырыба щIыпIэ. 4. 1708 гъэм къыттеуа кърымыдзэм хьэлэчыпцIэр хэзылъхьа адыгэхэм я дзэзешэу щыта ХьэтIохъущокъуэ … 5. Къэбэрдей композитор. 6. ХэгъукI-хэфыкIыу щIэзыдза жыгым трищIэ Iэгъэбэгу. 8. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф и къуажэ. 14. Хьэкъэлэрым нэгъуэщIу зэреджэ. 16. Ар щIэпым къыхах. 18. Тутнакъэщым нэгъуэщIу зэреджэ. 22. Пшынауэ цIэрыIуэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист. 23. ХадэхэкI хьэсэм хищIэ цIывыжь. 26. Адыгей тхакIуэ цIэрыIуэ … Тембот. 27. Илъэс зытIум ит шыщIэ. 29. Армэм къулыкъу щызыщIэ. 31. Жану лъа гуэр. Е джыдэ… Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ. Бадзэуэгъуэм и 24-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр: ЕкIуэкIыу: 3. IэшкIэ. 5. Бланэ. 7. Iэуа. 8. Къуэдз. 10. Бжьэф. 12. Шухьэ. 14. ЛутIэ. 17. Ибэ. 18. КъыпцIэ. 19. Къыр. 22. Симферополь. 25. Тощ. 26. Щтауч. 28.Таж. 29. Хьэкъун. 31. ПцIым. 32. Мусэ. 34. Мыл. 35. Тхьэм. 39. Ержыб. 40. Армум. Къехыу: 1. Джэду. 2. Къуныжь. 4. КIэ. 6. Лы. 7. Iэдииху. 8. Къурэ. 9. Дзэл. 11. Факъырэ. 13. Хьэкъ. 15. Усэ. 16. «Спартак». 20. Умэ. 21. Боз. 23. Птелъым. 24. Бжыхьым. 26. Щыкъу. 27. ЧыцI. 30. Нэм. 31. Пыл. 33. Сурэ. 36. ХьэукI. 37. Мы. 38. Хур.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100212.txt" }
Уи Хэку и мывэхэри дыщэщ Гулъытэ ЩIэблэм зрагъэгъэпсэху Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм иджыблагъэ Iуэхугъуэ зыбжанэ республикэм щригъэкIуэкIащ. Абыхэм ящыщщ мы махуэхэм Iэтауэ къызэIуаха сабий зыгъэпсэхупIэр. Гъэ къэс ДАХ-м хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгей республикэхэм ящыщ ныбжьыщIэхэмрэ зэхуашэсурэ гуимыхужу зрагъэгъэпсэху. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужьрей илъэсхэм къежьа уз зэрыцIалэм (Сovid-19) и зэранкIэ ар къайхъулIэркъым. Мы гъэм Iуэхум бгъэдыхьэкIэщIэ къыхуагъуэтащ: сабий зыгъэпсэхупIэм щызэхуашэс хэкум щыпсэу адыгэ ныбжьыщIэхэмрэ къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэмрэ. НыбжьыщIэ 30-м тхьэмахуищкIэ «Вершина» санаторэм щыIэнущ. Къыхэгъэщыпхъэщ а цIыкIухэр зыгъэпсэхупIэм щызэрыцIыхум и мызакъуэу, программэ гъэщIэгъуэн къазэрыпэплъэр. Санаторэм зэрыщыIэну пIалъэм ныбжьыщIэхэм адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ дерсхэр драгъэкIуэкIынущ, Налшык дэт щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм яшэнущ, ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм зыщрагъэплъыхьынущ, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ я зэфIэкI ягъэунэхунущ, нэгузыужь пшыхьхэр хуащIынущ. Сабий зыгъэпсэхупIэр къыщызэIуах пшыхьым щIэблэщIэм псалъэ гуапэкIэ зыщыхуагъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, «Адыгэ Хасэ — Шэрджэс Парламент» (КъШР) зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан, Мэздэгу адыгэхэм я хасэм и тхьэмадэ Факъуэ Руслан, Ставрополь хасэм и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэ, хэкум къэзыгъэзэжа нэхъыжьыфIхэм. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр лъапIэщ дэркIи къэкIуэжахэм я дежкIи. Дуней псом дыщикъухьами, нобэкIэ дызэрыщIэну, дызэрыгъуэтыну Iэмал гъуэзэджэхэр диIэ хъуащи, ари фIыщ. ТIуащIэу гуапэщ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр хуэм-хуэмурэ адэжь щIыналъэмкIэ къызэреIэр щыплъагъукIэ. Сыхуейт апхуэдэхэм я бжыгъэм нэхъри хэхъуэну, ХэкумкIэ къэхъуапсэ дэтхэнэми и мурад дахэр къехъулIэну, адыгэу дунейм текъухьар зэгуэр дызэрыгъуэтыжыну, къеблэгъэжахэр адыгэ щIыналъэм лъэ быдэкIэ щыувыну, щыбэгъуэну! — къекIуэлIахэм захуигъэзащ ДАХ-м и тхьэмадэм. Ар тепсэлъыхьащ къэрал куэдым щыпсэу адыгэхэр зыхэс лъэпкъ-хэм пщIэ къыхуащIу, къалъытэу, я IэщIагъэ-щIэныгъэкIэ ехъулIэныгъэфIхэр къагъэлъагъуэу нобэм къызэрысам. Абы зэIущIэм хэта ныбжьыщIэ цIыкIухэр къыхуриджащ блэкIар зыщамыгъэгъупщэу, лъэпкъым и Iуэху зэрырагъэфIэкIуэнум хущIэкъуу, я нэхъыжьыфIхэм яхуэфащэу псэуну. Сэхъурокъуэм и псалъэхэм къыпищащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём. — ДАХ-м лэжьыгъэ щхьэпэ куэд зэфIегъэкI, хэхэс адыгэхэм, хэкум къэзыгъэзэжахэм я Iуэху дегъэкI, я псэукIэр ефIэкIуэнымкIэ хузэфIэкI къигъанэркъым. Сэ си фIэщ мэхъу гъэма-хуэ зыгъэпсэхупIэм зэхашэ адыгэ щIэблэм лъэпкъым и тхыдэр зытхынухэр, абы и къэкIуэнур езыгъэфIэкIуэнухэр мымащIэу зэрахэтыр. Сыт и лъэныкъуэкIи къызэгъэпэщауэ гъащIэ дахэ яIэну ди гуапэщ, абы папщIэ дэри ди зэфIэкI деблэжынкъым. Ди гуапэщ хэкум къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэр мы зэхыхьэм щытлъагъуну, сэбэп дызэрыфхуэхъуфкIэ дыфхуэхъунущ, фыкъыздэкIуэжа къэралым фыхэзэгъэну, фыщефIэкIуэну, Iуэхугъуэ щхьэпэхэмкIэ дяпэкIи дызэхуэзэну сынывохъуэхъу, — жиIащ Къуэжейм. Хэкум къэIэпхъуэжа нэхъыжьыфIхэм ящыщ Къущхьэ Надим ДАХ-м фIыщIэ хуищIащ. — Гухэхъуэщ хэкум щыпсэуну къэкIуэжахэм я щIэблэр гъащIэм зэрыхэзагъэр, зыхэт гупым зэрызыдрагъэкIур плъагъуну. ЛъэпкъымкIэ я гупэр гъэзауэ къэхъуну сахуохъуахъуэ. Дэнэ щIыпIэ дыщыпсэуами, ди гум хэкум дыкъришэлIэжащ. Мыбы гупсэхугъуэу щыдгъуэтар уасэншэщ, ар дэркIэ фIыгъуэшхуэщ. Хэхэс хъуа адыгэ псоми къабгъэдэкIыу хэкур тхуэзыхъума, абы жылапхъэу къинауэ иса ди лъэпкъэгъухэм фIыщIэ ин яхуэсщIыну сыхуейщ. Фэр нэмыщIамэ, дэ дэнэ декIуэлIэжынт?! Фэращ ди лъэпкъ жьэгур зэхэзымыгъэкIыжар, — жиIащ Надим. Гъэмахуэ зыгъэпсэху-пIэм кIуэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм ДАХ-м къыбгъэдэкIыу IэфIыкIэхэмрэ еджапIэм къащыхуэсэбэпыну хьэпшыпхэмрэ тыгъэ хуащIащ. Пшыхьыр ягъэдэхащ «Кавказ пшэплъхэр» ныбжьыщIэ къэфакIуэ гупымрэ пшынауэ цIэрыIуэ Къуэдз Михаил и гъэсэн цIыкIухэмрэ. Щомахуэ Залинэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ. Ди нэхъыжьыфIхэр Зи гъащIэмрэ гуащIэмрэ адэжь щIыналъэм епха Лъабжьэ быдэ Хэкужьым щызыщIыжахэм ящыщщ егъэджакIуэ, усакIуэ, журналист, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Къущхьэ Надим. ХамэщIым куэд зи нэгу щыщIэкIа адыгэлIыр иджыпсту дэсщ Нартан къуажэм, унагъуэ дахэм я нэхъыжьу, и щхьэгъусэмрэ и бын дыгъэхэм-рэ яхэсу. Надим и адэшхуэ Мыхьэмэтмырзэ Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм ди хэкум икIахэм ящыщщ. Ахэр лъэпкъкIэ Абейкъуажэ (Урожайнэм) къыдэкIащ. Къущхьэр КъунейтIрэ къалэм и гъунэгъуу щыIэ Хъышней зи цIэ къэбэрдей къуажэм 1945 гъэм къыщалъхуащ. А щIыпIэм щызригъэгъуэтащ курыт щIэныгъэ, иужькIэ нэхъ куууэ хуеджащ хьэрыпыбзэмрэ хьэрып щэнхабзэмрэ я зэхэлъыкIэм. АбыхэмкIэ магистр лэжьыгъэхэр игъэзэщIащ икIи ахэр ехъулIэныгъэкIэ Сирием щыпхигъэкIащ. ХьэрыпыбзэмкIэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIым а бзэр илъэс куэдкIэ щригъэджащ Сирием, Мароккэм, Сауд Хьэрыпым я еджапIэ нэхъыщхьэхэм. ИригъэкIуэкIа апхуэдэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, Надим жыджэру хэтащ Сирие къэралым щекIуэкI политикэ-жылагъуэ гъащIэми. Джолан щIыналъэм и губернаторым и къуэдзэу илъэс зыбжанэкIэ лэжьащ ар. КъинэмыщIауэ, а щIыналъэм къыщызэрагъэпэща Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэту куэдрэ екIуэкIащ. Ди лъэпкъым и щхьэ кърикIуа бэлыхьхэр я нэгу щIэкIащ лIэщIыгъуэ-лIэщIыгъуэкIэ Къущхьэхэ я унагъуэм: Япэрей, ЕтIуанэрей дуней зауэшхуэхэри, 1946 гъэм щыIа Палестинэ зауэри, 1967 гъэм адыгэ къуажэхэр зэтракъутэу ди лъэпкъэгъухэр аргуэру я псэупIэхэм къизыхуа Джолан щекIуэкIа зауэри, иужьрейуэ Сирием къыщыхъея зэпэщIэувэныгъэ гуащIэри. 2013 гъэм и унагъуэр щIыгъуу ар а къэралым къиIэпхъукIыжри, Хэкум къитIысхьэжащ. НэхъыжьыфIыр ирогуфIэ хэкум къэзыгъэзэжахэм я псэуныгъэр лъэпощхьэпоуншэу зэрызэтраублэм, абы гугъуехь гуэрхэр пыщIами. Абыхэм япэлъэщынымкIэ хэкурысхэр щIэгъэкъуэнышхуэ къазэрыхуэхъуар фIыщIэ ин ещI Надим. — Адыгэр дызэрыIыгъыу, дызэдэIэпыкъужу дызэрыпсэум и щыхьэтщ Сирием къиIэпхъукIыжахэм дгъуэта гулъытэр. Сэри си щIэблэми зэи ящыгъупщэнукъым ди хъыбарыр зэхэзыха ди унэкъуэщхэм «Уэ удикъуэшщ. УкъызэрыкIуэжам дыщогуфIыкI икIи дыбдэIэпыкъуну дыхуейщ», — къыджаIауэ зэрыщытар, — игу къегъэкIыж Надим Хэкум къыщигъэзэжауэ щыта зэманыр. — Абы щыгъуэ сэ иджыри зэ зыхэсщIащ лъэпкъ уиIэныр фIыгъуэшхуэу зэрыщытыр. «Унэ зимыIэм лъапсэ иIэкъым», — жаIэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыдита сом мелуан ныкъуэмкIэ унэшхуэ Нартан деж къыщызэфIэдгъэуващ, си къуэшхэр къыздэIэпыкъуурэ, ар зыхуей хуэдгъэзащ, хъарзынэуи дыщопсэу иджы, дыщIэтыншыхьу. Надим зэрыжиIэмкIэ, езыри и унагъуэри къызыхыхьэжа хэкурысхэр хуабжьу къогуэпэкI, сыт хуэдэ Iуэху иIэми, зэрощIэ, зэролъытэ, зэролъагъу. Ар щIохъуэпс дуней псом щикъухьауэ псэу адыгэхэр зы хъужу адэжь хэкум щетIысэхыжыным. Ар гъэзэщIа зэрыхъуну щIыкIэхэм йогупсыс. Надим къызэрилъытэмкIэ, мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ ди лъэпкъэгъухэр абыкIэ сэбэп хъуфынут, сыту жыпIэмэ, хамэщI щыпсэу адыгэхэм ящыщ куэдыр Хэкум къэгъэзэжэным щIытемыгушхуэр я Iуэху зэтемыувэжынкIэ шынагъэ яIэщи аращ. — Адыгэр дэнэ щыпсэуми, зыхэс лъэпкъхэм фIыуэ къалъагъу. Ди щэнхабзэр дахэщ, ди Iуэху зехьэкIэр екIущ. Апхуэдэу, Урысейм пщIэш-хуэ щиIэщ ди лъэпкъым и жылагъуэ зэгухьэныгъэ иным — Дунейпсо Адыгэ Хасэм, — жеIэ Надим. — Сэ илъэс куэдкIэ сыхэтащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым, ноби къэзгъанэркъым зэгухьэныгъэм и зэIущIэхэм зрезмыгъэхьэлIэу. Абы и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутии Хасэм хэтхэми сыт хуэдэ Iуэхугъуэ кърамыхьэжьэми, дахэу гъэпсауэ, гупсысэ хэлъу, екIуу зэфIах. Адыгэр дызэгурыIуэмэ, дызэкъуэувэмэ, дяпэкIи ди Iуэхур зэрефIэкIуэнум шэч къытесхьэркъым. Зи Хэку зыгъуэтыжа нэхъыжьыфIыр унагъуэ узыншэу, и Iуэху дэкIыу дунейм тетщ нобэ, адэжь щIыналъэм хуиту щыбауэу, къыщIэхъуэ щIэблэм абыкIэ гуныкъуэгъуэ зэрамыIэм и лъэр щIигъэкIыу. Надим и щхьэгъусэ Хъадыжэ (ар лъэпкъкIэ Адыгейм хыхьэ Еджэрыкъуей жылэм къыдэкIауэ щыта Къанокъуэхэ япхъущ) илъэс куэдкIэ гъэсакIуэу лэжьащ. Зэщхьэгъусэхэм яIэщ зы хъыджэбрэ щIалитIрэ, ахэр псори унагъуэщ. Къуэрылъху-пхъурылъхуу 6 яIэщ, Тхьэм и фIыщIэкIэ. Зи гъащIэмрэ зи гуащIэмрэ Хэкум епха Къущхьэ Надим дохъуэхъу узыншэу, къыщIэувэ и щIэблэм я насып хэплъэу иджыри куэдрэ псэуну. ЖЫЛАСЭ Маритэ. КъызэрыкIуэжам нэхъри къару къыхелъхьэ Къэзыгъэзэжауэ нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис ди лъэпкъэгъухэм яхэтщ зыхуеджа IэщIагъэм ехъулIэныгъэхэр иIэу ирилажьэхэр, щыпсэуа къэралхэм щащIа лэжьыгъэм Хэкужьым екIуу щыпызыщэхэр. Апхуэдэщ дохутыр цIэрыIуэ, пластическэ хирург Хьэсэнхэ Мухьэмэд Лутфий. Мухьэмэд 1980 гъэм СХЬР-м къэрал университет къыщиухащ, 1980 — 1986 гъэхэм общая хирургиемкIэ, пластикэ, эстетикэ хирургиемкIэ ординатурэхэм щеджащ. 1987 — 1993 гъэхэм Франджым, Париж дэт сымаджэщхэм дохутыр-ординатору щылэжьащ. 1990 гъэм Франджым медицинэ еджапIэ щхьэхуэ къыщиухыжащ, 1991 гъэм микрохирургием хуеджэжащ. 1995 — 2017 гъэхэм Сирием щыIэ Altall Harasta, Al Mazeh сымаджэщхэм щыIащ. Иджыпсту ди лъэпкъэгъу дохутыр цIэрыIуэр Налшык къалэ дэт Поликлиникэ Нэхъыщхьэм щолажьэ. — Сэ сыкъыщалъхуари сыщыпсэуари Сириеращ, — жеIэ Мухьэмэд. — Сигурэ си псэкIэ къыхэсха IэщIагъэм сыхуеджэри, сфIэфIу илъэс куэдкIэ срилэжьащ. ИтIанэ Франджым срагъэблагъэри, илъэсихкIэ абы сыщыпсэуащ си щIэныгъэм хэзгъахъуэу, IэщIагъэм сыпэрыту. Сирием зауэ къыщыхъея нэужь, абы сымыгъэзэжу хъуакъым. Сэ си къалэну къэслъытащ уIэгъэ хъуахэм садэIэпыкъун хуейуэ, зауэ губгъуэм къихута сымаджэхэр згъэхъужыпхъэу. Мухьэмэд зэрыжиIэмкIэ, зауэ нэужьым хэкужьым къэкIуэжу абы къыщысэбэпыныр нэхъ къищтащ. — Апхуэдэ гукъыдэж куэд щIауэ сиIэт, къыщызэхъулIар иджыщ, — жеIэ дохутырым. — СфIэфIу сыщопсэу си адэжь хэкум, тыншуи сыщолажьэ. Сыкъызыхыхьэжа си къуэшхэр гуапэхэщ, цIыху щабэхэщ, гуфIэр я нэгу кърихыу апхуэдэщ. Поликлиникэ Нэхъыщхьэм сыщолажьэ, си дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ дэтхэнэми сэбэп сыхуэхъуну сыхьэзырщ. Пластикэ хирургиеращ си IэщIагъэри, пэ, тхьэкIумэ, Iэпкълъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зызогъэзэхуэж, мафIэ сыгъэ, фэбжь гуэр зиIэхэми садоIэпы-къуф. Гупсэхугъуэ нэхъ ин дыдэ Мухьэмэд къезытыр и хэкужь къызэрыкIуэжаращ. Ар фIэфIу мэлажьэ, мэпсэу, адэжь щIыналъэм къару къыхилъхьэрэ адыгэбзэ зэрызэхихым, адыгэ цIыху махуэ къэс зэрырихьэлIэм дамэ къытригъакIэу. НэщIэпыджэ Замирэ. Дэ къытхуатх Си дежкIэ Псейтыкъуэ жылэ цIыкIукъым, атIэ хэкушхуэщ Хамэ къэрал щыпсэу дэтхэнэ адыгэри ХэкумкIэ къыщыгупсысэкIэ, япэу и нэгу къыщIыхьэр Мейкъуапэрэ Налшыкрэщ. Мейкъуапэ и утыку ит мэжджыт щхъуафэ дахэмрэ Налшык зыгъэбжьыфIэ Марие и фэеплъымрэ хуэмыпабгъэрэ ар нахуэу илъагъуну щIэмыхъуэпс-рэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Шэч хэмылъу, псоми къащохъу адыгэ щIыгужьым и къалэхэм гъащIэр уэру щекIуэкIыу, хьэрычэтыщIэ Iуэхухэр щыдэкIрэ хабзэр дахэу щызэрахьэу. ИтIани, сэ си адэжь хэкум сыщегупсыскIэ, гущIэм зыкъыдигъазэу, си нэгу къыщIыхьэр си адэ-анэм я лъапсэр къыщежьэ Псейтыкъуэрэ Блашэпсынэрэщ. Сэ хэкум хузиIэ пыщIэныгъэр къыщежьэр Псейтыкъуэ шапсыгъ къуажэ цIыкIурщ. Ар Бжьэдыгъукъалэ кIуэцIрыкI Псыжь и Iуфэм Iус жылэ закъуэщ. Къуажэм япэу дэтIысхьауэ щытар шапсыгъхэращ, иужькIэ, Кавказ зауэр иуха нэужь, абазэх, натыхъуей, бжьэдыгъу, къэбэрдей зыбжанэ Iэпхъуащи, нобэ зэхэпхъауэ мэпсэу. Жылэр цIыкIуми, шапсыгъ хахуэхэм я щхьэр Iэтауэ абы дэсщ иджыри къыздэсым, зы мэжджыт дэтщи, ар жылагъуэм я зэхуэсыпIэщ. Си дежкIэ Псейтыкъуэ жылэ цIыкIукъым, атIэ хэкушхуэщ. Аращ сэ шапсыгъыбзэр щызэзгъэщIар, адыгэ лъэпкъым и щыIэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзы-щIа адыгэлI щыпкъэхэр щызэзгъэцIыхуар, пщэдджыжь акъужь IэфIыр къыщысIууар. Сэ абы щыслъэгъуащ цIыху лэжьакIуэ, пщэдджыжьым жьыуэ тракторыр зэщIагъанэрэ губгъуэм дэкIыу, сыт хуэдэ гугъуехь Iумыуэми, зэкъуэту зэдэлажьэрэ зэхуэфIу зэдэпсэууэ. Сыт хуэдиз хъыбар гущIыхьэ, гухэхъуэ щызэхэсха сэ абы. Гугъуехь куэд хэтащ си лъэпкъэгъухэр, зэман жыжьэкIэ узэIэбэкIыжмэ, мэжэщIалIагъэр къызэранэкIащ, лъэпкъгъэкIуэдыр ягъэващ, уз зэрыцIалэхэм къелащ. Нобэ абы дэсхэр бжыгъэкIэ мащIэми, IэфIу мэпсэу. Адыгейм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэ- зыщI хьэрычэтыщIэ, цIыху цIэрыIуэ куэд къыдэкIащ Псейтыкъуэ. Езыр цIыкIуми, и цIэр ину Iуащ. Абы и «куэбжэхэр» сыт щыгъуи яхузэIухащ хьэщIэхэми и лъэпкъэгъухэми. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Сирием щекIуэкIа зауэм кърихужьэжа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ иужьрей илъэсхэм псэупIэ щагъуэтащ абы. Адыгэгу сиIэу сыкъызэрыхъуар куэдкIэ я фIыщIэщ Псейтыкъуэрэ Блашэпсынэрэ. Си псэм хэлъам хэсхынукъым къэбэрдей къуажэр. Гум ихугъуейщ абы и Iуащхьэхэр, псы ежэххэр, удз щхъуантIэхэр, щыпсэу цIыху гуапэхэр. Жылэм сызэрыдыхьэу бысым схуэхъуащ си Iыхьлыхэр — КIэдыкIуей Мэхьмуд и унагъуэр. НэхъыжьыфIым къуэфIрэ нысэфIрэ иIэщ — Расулрэ Нэфисэтрэ. СагъэфIащ, сагъэтхъащ а унагъуэм. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, къэбэрдей диалектыр щызэзгъэщIащ а жылэм. Блашэпсынэ къуажэ къызэрыгуэкIкъым. Сэ сыщыщыIам слъэгъуащ абы дэсхэр зэкъуэту, зэгурыIуэу, зэдэIэпыкъужу зэрыпсэур. Зыми химыгъэзыхьауэ, хьэрычэтыщIэхэм къуажэр ирагъэфIэкIуащ, сабий джэгупIэхэр ящIащ, гъуэгухэр зэрагъэпэщыжащ, мэжджытыр къагъэщIэрэщIащ. Абы дэс шууей хахуэхэмрэ мэкъумэш IэнатIэм елэжьхэмрэ гур хэзыгъахъуэ щIалэхэщ. ЯщIэни, ялэжьыни, яшхыни ягъуэту апхуэдэхэщ къуажэдэсхэр. Адыгэ щIыгужьым хыхьэу сыздэщыIа жылэхэм ящыщу псом нэхърэ нэхъ сигу дыхьар Блашэпсынэщ. Сэ нобэ Америкэм сыщыпсэуми, си насыпщ си лъабжьэр адыгэ хэкум къызэрыщежьар, насып тIууащIэщ зи гугъу сщIы жылэхэм сыкIуэну, сыщыIэну къызэрысхуихуар. Сыт хуэдэ къалэшхуэ удэмысми, сыт хуэдэ бзэ ехьэжьа пIурымылъми, Iэмал имыIэу уи къежьапIэр зэбгъэцIыхун хуейщ, итIанэщ цIыху зэпIэзэрыт, щыпкъэ къыщыпхэкIынур, уи гупсысэр зэтеубыда щыхъунур, укъызыхэкIам уи щхьэр лъагэу щыуигъэIэтынур. Сэ ар къызэхъулIащ. Зи гугъу сщIа къуажэхэми сыщыхьэщIа адрей жылэхэми къыщыспежьа, къыщысщыгуфIыкIа псоми фIыщIэ ин яхузощI, сэ абыхэм зыхызагъэщIащ сызищIысымрэ сыкъызыхэкIамрэ. КIэдыкIуей Батыр. Лос-Анджелес, США. Бемырзэ Зураб Хэусэ Зызогъэзыхри, бзэпсым соIусэ, Гупсысэ щэху къысхудэплъейуэ, Зызогъэзыхри зызогъэгусэ, Жылэр зыпыху мыIэрысейуэ. Сыкъыдоплъейри, удзу согъагъэ, Уэгу къалъэщIар къызэдэхащIэу, Сыкъыдоплъейри, шэху дыкъуэнагъыу, Си пкъыр хокIэж уафэм и лъащIэм. ЗызогъэукIри, сохъу лъахэжь яжьэ, Къупщхьэу схэлъар сыну искъухьу, Узобгынэжри, си хэхэс гъащIэм Хэку къэзгъэнар къонэр и пщIыхьу. ЗыкъызощIэжри, шыбгым сошэсыр, ПкъыкIэ шэгын къафIэсщыпыну, СыкъызоплъэкIри — гупсысэ уэсу Къахуэзгъэнам — хотхъухь си быныр… Тхьэгъэзит Зубер Ди Хэку дыщэ Пшэ къытехьэм — бынхэм урадыгъэщ. Дыгъэр гуащIэм — жьауэ захубощI, Уи быдзышэр къабзэщ лъагъуныгъэу Анэм фIэкI узэщхь щымыIэу сфIощI. Уэ уи бынхэр лIыгъэм хуогъэIущыр, Лъагъуныгъэр уощIыр я Iэпэгъу, Аращ, дауи, дгъафIэу ди Хэку дыщэ, УщIэхъуар уэ анэм и цIэджэгъу. ПцIыр уи бийщ уэ, пэжым урителъхьэщ, ГъащIэр дахэм — нэгъуэщI ухуэмей. Аращ, дауи, анэм епцIыжауэ, КъыщIалъытэр уэ къозыхыр лей. Шынэ пщIэркъым уи щIым бий къихьамэ, Бийхэм я псэр уи къарум егъэн Уи сурэтыр анэм и сурэтым Ещхьу бынхэм щIащIыр арагъэнщ. ГъущIо Зариф Убыхыбзэ СыткIэ уеджэ хъуну си гум жьы къыщепщэм? СIыгъщ сурэт згъэлъапIэр, мэкIэзызыр си Iэр. Дэ ди гъащIэ гугъум пэжыра щытепщэр? ПцIым дыщIапIыкIамэ… Пэжыр дэнэ щыIэ?.. Псэууэ ди Iубыххэр жаIэ, я сурэтыр Сагъэлъагъур, ауэ зыщ зыщIэжыр я бзэр. КъэувыIэнщ сыхьэтыр, ар дунейм ехыжым, Дуней псом щыIунущ ди адыгэ гъыбзэр. Гыбзэр абы хэту, шэч хэмылъ, къэIунущ. Хэт тхуэгъэкъуэншэну дэ иджы абыкIэ, ЩIым щыпсэухэм я бжэм жьапщэр теуIуэнущ. Дэ тхъуэжын зыгуэр ди закъуэу щытлъэмыкIкIэ. МэкIуэдыж зы къуэпсыр, малIэ бзэ дахащэр, ЗокIуэ, ехьми гугъу, а зы убых закъуэр. Дэнэ щыIэ щIэблэр? Тыркухэм я бзэщ къэIур… Хуэчкъым зыми бзэм и деж лъэбакъуэ. Къищтэжатэм лъэпкъым зи псэ хэкI бзэ лъапIэр, Ар хъужынут къабзэ, уэсым хуэдэу хужьу. Ауэ сфIощIыр блэкIхэм зы убых яхэту, Дэ ди мынэIуасэу, езыми димыцIыхуу… Черкез Владимир Адэжь Хэку Хэкур — ар уэшхышхуэм и ужькIэ къепсыж дыгъэ хуабэщ, Жьыуэ тэджауэ, гъавэм елэжь мэкъумэшыщIэрщ, ЖэщкIэрэ уафэ кIыфIым къыщыблэ вагъуэщ, Бийм пэува зауэлIым хьэлу Iыхьэ езыт анэщ. Псынэ къабзэщ ар, зэрылъэлъу дыхьэшх псыкъелъэщ, Губгъуэм ит жыгей инщ ар, зэщIэгъагъэ жыг хадэщ, Къуалэбзухэм я уэрэдыр зыщхьэщыт ныджэ инщ. Щащыху хужьыр и ныджэм телъщ щIымахуэм темыкIыу, Удз уфафэм гъэмахуэм яуфэбгъу губгъуэ инщ ар, КъыщIафыкI щIым а удзхэм гъащIэ зыт и хъугъэпсхэр; Хэкур — ар дэ ди унэрщ, ди жыг хадэрщ. Ди гум ди адэжь хэкур сытым дежи щопсэу!
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100216.txt" }
КъБР-м и ТВ 1 КъБР «Мир» канал Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 2 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) 6.35 «Утыку». Щукин Борис и цIэр зезыхьэ Театральнэ институтым и балъкъэр студиер къэзыухахэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.15 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. «Уэрэд уахътыншэ». Зэрэгъыж къуажэм щекIуэкIа зэхыхьэм къратыкI репортаж (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.50 «Щытхъу зиIэ дохутыр» (12+) 9.15 «Псэуащ-щыIащ…» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 17.00 Мультфильм (0+) 17.10 «Сабийхэм я дуней» (6+) 17.35 «Спорт утыку цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.50 «Щикъухьащ адыгэр дунеижьым» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.45 «Зэчий». УФ-м и цIыхубэ артист Акбаев Азрэт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.15 «ТщIэн икIи тщымыгъупщэн папщIэ». 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм хэта лIыхъужьхэр (12+) 20.40 «Ди пщэфIапIэм» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.15 «Лъэхъэнэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Гъубж, шыщхьэуIум и 3 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.20 «Зэчий». УФ-м и цIыхубэ артист Акбаев Азрэт (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 6.50 «ТщIэн икIи тщымыгъупщэн папщIэ». 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу диви- зэм хэта лIыхъужьхэр (12+) 7.15 «Лъэхъэнэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «Полк уахътыншэ» (12+) 8.35 «Ди пщэфIапIэм» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.10 «Спорт утыку цIыкIу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.00 «Анэдэлъхубзэ». Телевикторинэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.35 «Адэ-анэхэр щIоупщIэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.05 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.45 «УэрэджыIакIуэ». Атмурзаев Эльдар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.15 «Адэжь щIэин» (адыгэбзэкIэ) (12+) 20.45 «Узыншагъэм и хъумапIэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.15 «ГъащIэмрэ насыпымрэ». Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Ныр Хьэзрэталий и фэеплъу (12+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 4 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «УэрэджыIакIуэ». Атмурзаев Эльдар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 6.45 «Адэжь щIэин» (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.15 «Усэхэр зэрыт дэфтэр» (12+) 7.25 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «ГъащIэмрэ насыпымрэ». Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Ныр Хьэзрэталий и фэеплъу (12+) 8.45 «Узыншагъэм и хъумапIэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.15 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 17.00 «Жомакъ, жомакъ жолунга…». Пушкин Александр. «Бдзэжьеящэмрэ бдзэжьей цIыкIумрэ ятеухуа таурыхъ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.30 «Щытхъу зиIэ дохутыр» (12+) 18.00 «Жаншэрхъ». Спорт нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.50 «Кязим и дерсхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.25 «Илъэсым и егъэджакIуэ». Май къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м и егъэджакIуэ Къущхьэ Каринэ (12+) 20.50 «Уэрэд щIаусыр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Махуэку, шыщхьэуIум и 5 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Кязим и дерсхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 6.50 «Уэрэд щIаусыр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.30 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «Жаншэрхъ». Спорт нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.40 «Илъэсым и егъэджакIуэ». Май къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м и егъэджакIуэ Къущхьэ Каринэ (12+) 9.05 «Жомакъ, жомакъ жолунга…». Пушкин Александр. «Бдзэжьеящэмрэ бдзэжьей цIыкIумрэ ятеухуа таурыхъ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.00 «Iущыцэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (6+) 17.20 «Сабиигъуэм и дуней». Невролог Ульбашевэ А. зыхэт нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.50 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.45 «02» къулыкъущIапIэм хъыбар фегъащIэ» (16+) 19.55 2021 гъэр ЩIэныгъэмрэ IэмэпсымэщIэхэмрэ я илъэсщ. «Ракурс» (12+) 20.10 «Зэманым декIуу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.40 «ЗэчиифIэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.10 «ЩIымрэ цIыхухэмрэ» (12+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Мэрем, шыщхьэуIум и 6 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Зэманым декIуу» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 6.45 2021 гъэр ЩIэныгъэмрэ IэмэпсымэщIэхэмрэ я илъэсщ. «Ракурс» (12+) 7.00 «ЩIымрэ цIыхухэмрэ» (12+) 7.30 «02» къулыкъущIапIэм хъыбар фегъащIэ» (16+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «ЗэчиифIэхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.50 «Динымрэ гъащIэмрэ» (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.20 «Таурыхъым фрегъэблагъэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 17.00 «Дыгъэщыгъэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) 17.35 «Си бзэ — си псэ, си дуней» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 18.05 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 19.50 «Утыку». Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэ-рал драмэ театрыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.35 «Спектр». «Новая опера» театрым и хормейстер Къантемыр Мартин. Москва къалэ (12+) 21.05 «Хамэ хэку сыщытхъэ нэхърэ…». Сирием къикIыжахэр. ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Щэбэт, шыщхьэуIум и 7 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Утыку». Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.00 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Жабо Замирэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 7.25 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 7.55 «Спектр». «Новая опера» театрым и хормейстер Къантемыр Мартин. Москва къалэ (12+) 8.25 «Хамэ хэку сыщытхъэ нэхърэ…». Сирием къикIыжахэр. ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 9.00 «Си бзэ — си псэ, си дуней» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.00 «Билляча». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+) 17.25 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+) 17.45 «ЩIэблэм хуэсакъыу» (12+) 18.05 «ЩIылъэмрэ уэгумрэ ятеухуауэ» (12+) 18.20 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.00 «ЗэIущIэхэр». УсакIуэ Табаксоев Мухътар Балъкъэр Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м и еджакIуэхэм яIуощIэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 19.45 «ХъыбарыщIэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 20.05 «Зэманымрэ цIыхумрэ». МВД-м и ветеран, тхакIуэ, тхыдэдж Шипилов Валерий (12+) 20.35 «Си гукъэкIыжхэр». УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Молэ Хьэцацэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.05 «Ди псэлъэгъухэр». Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.40 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) (16+) Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 8 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+) 6.15 «ЗэIущIэхэр». УсакIуэ Табаксоев Мухътар Балъкъэр Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м и еджакIуэхэм яIуощIэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 7.00 «Зэманымрэ цIыхумрэ». МВД-м и ветеран, тхакIуэ, тхыдэдж Шипилов Валерий (12+) 7.30 «Си гукъэкIыжхэр». УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Молэ Хьэцацэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 8.00 «Республикэм щыхъыбархэр». ХъыбарыщIэхэр (адыгэбзэкIэ) (16+) 8.15 «Лэгъупыкъу». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) 8.35 «Билляча». Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) 16.00 «ЕджэкIэ нэгузыужь» (6+) 16.30 «Хьэндырабгъуэ». Сабийхэм папщIэ (адыгэбзэкIэ) 17.00 «ЩIалэгъуэ». ЩIалэгъуалэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) 17.25 «Си къуажэ». Ташлы-Тала къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.50 «49-нэ каналым и пощт» (16+) 19.30 «Литературэм теухуа псалъэмакъ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 20.15 «ЦIыхухэр псэун папщIэ». Беслъэней сабийхэр (12+) 20.50 «ЩIэныгъэ зиIэм Iэужь иIэщ». Филологие щIэныгъэхэм я кандидат ЩакIуэ Марьянэ (адыгэбзэкIэ) (12+) 21.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) ОТР Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 2 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) 6.30 Красногоров Валентин. «Фуршет после премьеры». Япэ Iыхьэ (12+) 7.20 «Си адэм и гугъу къысхуэфщI». Со- вет Союзым и ЛIыхъужь Байсултанов Алим (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр» (12+) 8.35 «Щытхъу зиIэ дохутыр» (12+) 17.00 «Сабийхэм я дуней» (12+) 17.25 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къубатий (12+) 17.40 «ЛъэщапIэ». Пхъэм елэжь IэпщIэлъапщIэ, сурэтыщI Валиев Рафик (12+) 18.10 ДНК-м теухуауэ щIоупщIэ (12+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Гъубж, шыщхьэуIум и 3 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 Красногоров Валентин. «Фуршет после премьеры». ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 7.00 «ЛъэщапIэ». Пхъэм елэжь IэпщIэлъапщIэ, сурэтыщI Валиев Рафик (12+) 7.30 «Бзылъхугъэм и сурэт». Алтуевэ Хьэлимэт (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къубатий (12+) 8.35 «Сабийхэм я дуней» (12+) 17.00 «ХъуэпсапIэм дамэ къызытригъэкIахэр» (12+) 17.25 «ЩIэблэм я щапхъэу». Хэку зауэшхуэм хэта Абазэ зэкъуэшхэм я гъащIэм теухуауэ (12+) 17.45 «Мамырыгъэм — дахагъэкIэ». Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ СтIащ Юрэ (12+) 18.15 «КъэкIуэнум и дуней» (12+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 4 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Журналист». Мэрем Задин (12+) 6.45 «ЩIэблэм я щапхъэу». Хэку зауэшхуэм хэта Абазэ зэкъуэшхэм я гъащIэм теухуауэ (12+) 7.00 «Мамырыгъэм — дахагъэкIэ». Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ СтIащ Юрэ (12+) 7.35 «ХъуэпсапIэм дамэ къызытригъэкIахэр» (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «ПщIэну щхьэпэщ» (12+) 17.00 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 17.15 «Зэманми езыми ятеухуауэ». Фролов Алексей (12+) 17.40 «Зэманым екIуу» (12+) 18.10 «ПщIэну щхьэпэщ» (12+) 18.35 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Махуэку, шыщхьэуIум и 5 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Зи чэзу псалъэмакъ» (16+) 6.25 «Тайм-аут». Спорт нэтын (12+) 6.40 «Зэманми езыми ятеухуауэ». Фролов Алексей (12+) 7.05 «ПщIэну щхьэпэщ» (12+) 7.30 «Зэманым екIуу» (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «Дыщэ джэджьей цIыкIу». Урыс драмэ театрым и спектакль (12+) 17.00 «Партитура» (12+) 17.25 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Тау Пщыкъан (12+) 17.55 «Ракурс». (12+) 18.35 «02» къулыкъущIапIэм хъыбар фегъащIэ» (16+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Мэрем, шыщхьэуIум и 6 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «02» къулыкъущIапIэм хъыбар фегъащIэ» (16+) 6.25 «Зэманымрэ цIыхумрэ». Тау Пщыкъан (12+) 6.55 «Зы лъэпкъым и ансамблитI». «Налмэс», «Кабардинка» гупхэм я концерт. Япэ Iыхьэ (12+) 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+) 8.20 «Ракурс» (12+) 17.00 «МафIэсым пэщIэтхэр» (12+) 17.30 «Усэхэр зэрыт дэфтэр» (12+) 17.40 «ТщIэн икIи тщымыгъупщэн папщIэ» (12+) 18.15 «Шэхэр къытелъалъэми — кIапсэхэр зэпищIэжу». Совет Союзым и ЛIыхъужь Яхэгуауэ Михаил (12+) 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) Щэбэт, шыщхьэуIум и 7 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+) 6.15 «Усэхэр зэрыт дэфтэр» (12+) 6.25 «МафIэсым пэщIэтхэр» (12+) 7.00 «ТщIэн икIи тщымыгъупщэн папщIэ» (12+) 7.30 «Шэхэр къытелъалъэми — кIапсэхэр зэпищIэжу». Совет Союзым и ЛIыхъужь Яхэгуауэ Михаил (12+) 8.00 «Зы лъэпкъым и ансамблитI». «Налмэс», «Кабардинка» гупхэм я концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (12+) 17.00 «ЕхъулIэныгъэ». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля (12+) 17.25 «КъызыхуигъэщIа Iуэхур». Хутуевэ Светланэ (12+) 18.00 «ТВ-галерея». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист КIэмыргуей Валентин (12+) 18.35 «Миссия народного дипломата». Дзэм къыхэкIыжа генералхэм, офицерхэм, адмиралхэм я дуней-псо чэнджэщакIуэ комитетым и секретарь нэхъыщхьэ Къумахуэ Анатолэ теухуа телефильм (12+) Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 8 6.00 «Эдит Пиаф». Легентов Виктор и пьесэм къытращIыкIауэ КъБР-м и Музыкэ театрым щагъэува спектакль (12+) 7.50 «ТВ-галерея». КъБР-м щIыхь зиIэ и артист КIэмыргуей Валентин (12+) 8.25 «ЕхъулIэныгъэ». КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля (12+) 8.50 Чехов Антон. «Загадочная натура». Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и спектакль (12+) 17.00 «Гъуэгуанэ тхыгъэхэр» (12+) 17.10 «Зэманымрэ цIыхумрэ». УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Попович Виктор 17.50 КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. «Зэныбжьэгъугъэм и концерт». «Кабардинка», «Балкария» къэфакIуэ гупхэм я концерт. Япэ Iыхьэ (12+) 18.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+) «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 2 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. РСФСР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Щоджэн Верэ (12+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (12+) 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр Гъубж, шыщхьэуIум и 3 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ) 9.30 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь. Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 «Узыншэу фыщыт!» (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) Бэрэжьей, шыщхьэуIум и 4 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 9.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ) 9.30 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь. Къэбэрдей-Балъкъэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.15 «Ди щIэинхэр». Гуэл щхъуантIэхэр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) 17.40 Сабий ныкъуэдыкъуэхэм яхуэгъэза псапащIэ Iуэху (6+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+) Махуэку, шыщхьэуIум и 5 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 Щоджэнхэ я унагъуэр (адыгэбзэкIэ) (12+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+) Мэрем, шыщхьэуIум и 6 7.07, 7.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 17.15 «Макъамэм и лъахэ». КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Iэпщэ Алим (12+) 17.40 ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 76-рэ ирикъуащ. «Тщыгъупщэ хъунукъым» (12+) 18.00 «Уэрэдыр и Iэпэгъуу». Макъамэ нэтын (12+) Щэбэт, шыщхьэуIум и 7 8.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр 8.20 КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. «Зэманым и лъэужьхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+) Тхьэмахуэ, шыщхьэуIум и 8 8.00 ЩIыпIэ зэман. «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100225.txt" }
Жылагъуэ советым и гулъытэ Урысейм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм Налшык къалэ щиIэ къудамэм и Жылагъуэ советым ди щIыналъэм ит зыгъэпсэхупIэхэмрэ узыншагъэр щызэфIагъэувэж IуэхущIапIэхэмрэ зыщызыгъэпсэху сабийхэм яIущIэныр, япсэлъылIэныр, псалъэмакъ купщIафIэхэр драгъэкIуэкIыныр хабзэ дахэу къадогъуэгурыкIуэ. Дызэрыт илъэсми Жылагъуэ советым сабийхэр и гулъытэ щигъэщIакъым. «Жылагъуэ советым и гъусэу зыдогъэпсэху» зыфIаща урысейпсо акцэм ипкъ иткIэ, УФ-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм ди щIыналъэм щиIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр Налшык къалэ дэт «ЛъагапIэхэр» зи фIэщыгъэ зыгъэпсэхупIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ. Iуэхугъуэм хэтащ полицэм и капитан Яковлевэ Галинэрэ IуэхущIапIэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Бэгъуэт Хьэмидбийрэ. Зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм къриубыдэу сабийхэм я шынагъуэншагъэр къызэрызэгъэпэщыпхъэрт псалъэмакъыр нэхъыбэу зытегъэщIауэ щытар. Сабийм и ныбжьым теухуауэ зэрагурыIуэнум, хабзэм къигъэув мардэхэр зэхэхауэ зэрызэхащIыкIынум хуэдэу инспекторыр тепсэлъыхьащ гъэмахуэм псым сабийхэр щыхыхьэкIэ, зыхуэсакъын икIи зыхуэмыбэлэрыгъын хуей Iуэхугъуэхэм, цIыхухэр уэру щызэхэт щIыпIэхэмрэ транспортымрэ щахэлъын хуей хабзэм, уэрамхэмрэ нэгузыужьыпIэхэмрэ зэрыщызекIуэ щапхъэхэм, и гугъу ищIащ хэщIапIэ яхуэхъуа зыгъэпсэхупIэхэм балигъ я мыгъусэу пэжыжьэ зыхуащI зэрымыхъунум. Яковлевэм иригъэкIуэкIа псалъэмакъым къызэрыхэщамкIэ, сабийхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъуным епха Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэр езыхэм елъытащ, абы къыхэкIыуи сакъыныр, къэхъун хуэмей IуэхухэмкIэ мыбэлэрыгъыныр я пщэрылъ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Бэгъуэт Хьэмидбий и псалъэр нэхъ гуIэтыжу гъэпсат. Хабзэхъумэхэм къагъэув мардэхэмрэ щапхъэхэмрэ гъэзэщIэн зэрыхуейм и мызакъуэу, абы цIыкIухэр къыхуриджащ я Iэпкълъэпкъым зезыгъэужь джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэманым и нэхъыбэр трагъэкIуэдэну, гъэсакIуэхэмрэ ущиякIуэхэмрэ зыхуаунэтI Iуэхугъуэхэм езыхэм еплъыкIэ гъэщIэгъуэн, Iуэху щIэкIэ щIэщыгъуэ къыхалъхьэфынумэ, гупыр ягъэгупу загъэпсэхуну, къыхуаутIыпща пIалъэр щхьэпэу ирахьэкIыну. ЗэIущIэр гъэщIэгъуэну екIуэкIащ, нэхъыжьхэр ирипIейтейуэ зытепсэлъыхьхэм цIыкIухэр дихьэхыу зэредэIуам и щыхьэтт абыхэм зыщIэупщIэн зэракуэдыр, гу зылъатэри зэрымымащIэр. Уэршэрыр купщIафIэу, мыхьэнэ зэриIэм шэч къытумыхьэну екIуэкIащ. ШУРДЫМ Динэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100227.txt" }
Псоми я фейдэ зыхэлъ зэдэлэжьэныгъэ «Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм иджыблагъэ щекIуэкIащ абы и лэжьакIуэхэмрэ республикэм къыщыдэкI газет нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэмрэ я зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ IэнатIэхэм яку дэлъ зэдэлэжьэныгъэр егъэфIэкIуэным. ЗэIущIэр къыщызэIуихым «Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Вэрокъуэ Заур къыхигъэщащ республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ тедзэнымрэ ахэр зэбгрегъэхынымрэ ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр, уеблэмэ ар лъэпкъ, политикэ Iуэхуу къызэрилъытэр. Абы щыгъуэми ибзыщIакъым пощтзехьэхэр къазэремэщIэкIым къыхэкIыу, ныкъусаныгъэ гуэрхэри щIэх-щIэхыурэ къазэрылъыкъуэкIыр икIи ахэр икIэщIыпIэкIэ гъэзэкIуэжа хъуным я нэIэ тет зэпыту зэрыщытыр. Газетхэм нэхъыбэу Iэ трегъэдзэнымрэ ахэр и чэзум зэбгрегъэхыныр егъэфIэкIуэнымрэ теухуауэ я къарур зэщIагъэуIуэу зэрызэдэлэжьэнум ехьэлIауэ я жэрдэмхэр къыхалъхьэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ «Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Балъкъыз Лянэ. Абы Iуэху бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэ зыбжанэ утыку кърихьащ, къызэхуэсахэм ахэр даIыгъащ. Пощт лэжьакIуэхэмрэ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ я зэIущIэм жыджэру хэтащ икIи жэрдэм купщIафIэхэр къыхалъхьащ «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Дзыгул МуIэед, «Кабардино-Балкарская правда», «Адыгэ псалъэ», «Заман», «Советская молодёжь», «Горянка» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу Бжьахъуэ Ранетэ, Жыласэ Заурбэч, Конаков Хьэсэн, Ярославская Маринэ, Къаныкъуэ Заринэ, «Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ трегъэдзэнымрэ ахэр зэбгрегъэшынымкIэ и IэщIагъэлIхэу Къасым Светланэ, Ащхъуэт Жаннэ, Плотниковэ Еленэ сымэ. IуэхуфIхэр яубзыхуарэ ахэр зэрагъэзэщIэнум епха гупсысэхэри я куэду, зэIущIэм хэтахэр зэбгрыкIыжащ. Абыхэм я зэдэлэжьэныгъэм я фейдэ хэлъщ ди республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ я мызакъуэу, ахэр и чэзум къызыIэрыхьэну щIэхъуэпс щIэджыкIакIуэ псоми. КЪАРДЭН Маритэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100230.txt" }
Адыгэ кхъужьейм паспорт хуатхынущ Адыгэ Республикэм щапхъэ пщIыну щхьэпэ Iуэхушхуэ къыщаIэтащ. Абы щыIэ Урысей географие зэгухьэныгъэм и мурадщ КъэкIыгъэхэм я генофондыр хъумэнымкIэ урысейпсо институтым гуэту адыгэ кхъужьей лIэужьыгъуэ къэс паспорт хуагъэхьэзырыну. Кавказ Ищхъэрэм пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыг куэд цIыхум къыщыхуагъэIурыщIащ. Ди бзэм жыгхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ щызэрахьэ фIэщыгъэхэри къоув абы и щыхьэту: кхъужьIэрысей — кхъужьIэрысэ; мыIэрысей — мыIэрысэ; балий Iэрысей — балий Iэрысэ, къинэмыщIхэр. А псоми «Iэрысэ» псалъэр зэрадэщIыгъум къегъэлъагъуэ ди япэ итахэм къэкIыгъэхэр яцIыху къудей мыхъуу, ахэр цIыху цIыкIум шхыныгъуэ хуащIыным гуащIэшхуэ зэрыхалъхьар. Дунейпсо къэкIыгъэ псалъалъэм алыдж дэр («грецкий орех») зэритыр «адыгэ дэуэщ» (circassian walnut). Апхуэдэщ адыгэ кхъужьеймрэ кхъужьымрэ я Iуэхури. Урыс-Кавказ зауэм тетхыхь куэдым ягу къагъэкIыж хэкурысхэм ябгына щIыхэм жыг лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр къыщагъуэту зэрыщытар. Абыхэм ящыщ гуэрхэр ди нобэми къэсащ. Псалъэм папщIэ, зи гугъу тщIы кхъужьейхэм хуэдэу жыгитI Адыгэ Республикэм хыхьэ Каменномостскэ къуажэм ущрохьэлIэ. Езыхэр илъэс 200-м зэрыщIигъум нэмыщI, дэтхэнэ зыми ди япэ итахэм дагъэкIауэ щыта къудамэхэм я лъэужь тыболъагъукI. Кърахьэжьа Iуэхум ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэрызэфIах щIыкIэм щыгъуазэ дещI Адыгэ Республикэм щыIэ Урысей географие зэгухьэныгъэм и унафэщI Агай Игорь: «Адыгэ университетым и гъусэу дэ ди мурадщ кхъужьейхэм паспорт яхузэдгъэпэщыну, «база данных» жыхуаIэм хуэдэ къахузэIутхыну. Абы и фIыгъэкIэ дэ Iэмал дгъуэтынущ кхъужьейхэр щэнхабзэмрэ щIыуэпсымрэ я хъугъуэфIыгъуэхэм хедгъэбжэну. Сыт абы къытхуихьынур? Жыгхэм я хъуреягъкIэ бжыхь ягъэувынурэ, зыгуэркIэ мы щIыпIэм ухуэныгъэ Iуэху къыщрахьэжьэмэ, ахэр ираупщIыкIыну хуитыныгъэ яIэнукъым». Языныкъуэ кхъужьейхэм я ныбжьыр илъэси 150 — 200-м ноблагъэ, ныбжьышхуэ зэраIэм щхьэкIэ къэмынэу, пхъэщхьэмыщхьи къапокIэ. Европэм къраша кхъужьей лIэужьыгъуэхэр нэхъыбэ дыдэу илъэс 50 — 60 псэуми аращ. КъызэрыщIэкIымкIэ, адыгэ кхъужьейм и гъащIэр абыхэм нэхърэ зэрынэхъ кIыхьым ищIыIужкIэ, къыпыкIэри щыкIэ нэхъыбэщ. Адыгэ кхъужьыр хьэпIацIэм нэхъ щыхъумащ, щIымахуэри нэхъ тыншу ирех. Адыгэ хадэгъэкIхэм жыгыр хьэпIацIэм кърагъэлын папщIэ щхъухьрэ хущхъуэрэ траутхэу щытакъым. ИтIани, тхьэмпэхэри пхъэщхьэмыщхьэри узыншэу, къабзэу къызэтенэрт. ЩIэныгъэлIхэм, япэрауэ, Адыгэ Республикэм адыгэ кхъужьейуэ къинар къапщытэу, ахэр зэрызэщхьэщыкI и лъэныкъуэкIэ зэхагъэкIыу, дэфтэрхэм иратхэну я мурадщ. Псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ ират дэтхэнэ жыг лIэужьыгъуэри нэхъ къыщыкI хабзэ щIыпIэр яубзыхуным. ЕтIуанэ лъэбакъуэр — ахэр зэрагъэбэгъуэн Iэмал къалъыхъуэнырщ. Ещанэр — абыхэм я ДНК-р къахутэнырщ. Зи гугъу тщIы лэжьыгъэм хэпщIа биологие щIэныгъэхэм я доктор, АГУ-м физиологиемкIэ и кафедрэм и доцент Шаповалов Максим зэрыжиIэмкIэ, адыгэ кхъужьейр псэ зыIут тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъщ, цIыхум щIыналъэр езым и фейдэкIэ губзыгъэу къызэригъэщхьэпэфым и щыхьэт наIуэщ. «Адыгэ кхъужьеижьхэм псэщIэ къахэгъэхьэжауэ, ахэр туристхэми егъэцIыхун хуейщ, — и гуращэхэр наIуэ къещI Шаповаловым. — Адыгейм щыщ куэдым къалъытэ республи- кэм и дамыгъэу кхъужьыр щытын хуейуэ». Чэрим Марианнэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100233.txt" }
ТIэунейрэ чемпионхэр Мы махуэхэм Токио щекIуэкI XXXII Гъэмахуэ Олимп джэгухэм Урысейм и спортсменхэм къахэкIащ етIуанэ дыщэ медалхэр абы къыщызыхьахэр. Ахэр Рылов Евгенийрэ Бацарашкинэ Виталинэрэщ. Махуищ ипэкIэ, бадзэуэгъуэм и 27-м, щIыбкIэ телъу метрищэкIэ псым щесым олимп чемпион хъуа Рылов Евгений и ехъулIэныгъэм дыгъуасэ къытригъэзэжащ. Абы дыщэ медалыр къыщихьащ метр 200-ри къыщызэранэкIым. Рыловыр къызэресылIа 1 дакъикъэрэ секунд 53,27-р олимп рекордщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Евгений псы гуэным хуэфэщэн жэуап щритащ и ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэ США-м щыщ Мерфи Райн, допинг зэхьэлIэн и лъэныкъуэкIэ ди спортсменыр мыкъабзащэу къыщыхъуу зэрыжиIам. Ар ди щIалэм секундым и 0,88-кIэ къыкIэрыхуащ. Токио щекIуэкI Олимпиадэм медалхэр щызэщIекъуэ Бацарашкинэ Виталинэ. Аращ Японием япэ дыщэр къыщытхуэзыхьар, иужькIэ Черноусов Артём дэщIыгъуу зыхэта пневматикэ кIэрахъуэмкIэ метрипщI зи жы-жьагъ нэщанэм еуэнымкIэ зэпеуэм дыжьыныр къыщылъысащ. Дыгъуасэ ещанэ медалри къихьащ — аргуэру дыщэу. Метр 25-кIэ япэжыжьэ нэщанэм псынщIэу еуэнымкIэ зэпеуэм абы къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым икIи етIуанэу Олимп чемпион хъуащ. НэхъапэжкIэ, вэсэмахуэ, ди цIыхубз рапиристхэми дагъэгуфIащ. Дериглазовэ Иннэ, Коробейниковэ Ларисэ, Мартьяновэ Мартэ, Загидуллинэ Аделинэ сымэ зыхэт Урысейм и олимп спортсменхэм я цIыхубз командэ къыхэхам гуп зэпеуэм и финалым 45:34-уэ щыхигъэщIащ мушкетёрхэм я къежьапIэ Франджым къикIахэр. Мы гъэм япэу олимп программэм хагъэхьа цIыху щырыщу баскетбол зэдэджэгунымкIэ зэхьэзэхуэм фIы дыдэу зыкъыщагъэлъэгъуащ ди щIалэхэм. Я хьэрхуэрэгъу псори хагъащIэри, ахэр финалым нэсащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы къыщефIэкIащ Латвием и баскетболистхэр. ЗэкIэ дыжьын медалхэри Урысейм и олимп спортсменхэм я цIыхухъу командэ къыхэхам дежкIэ телъыджэщ. Кореем щыщ Сан Ан зы мащIэ дыдэщ къызэрыпикIуэтар Осиповэ Еленэ. Шабзэ гъэуэнымкIэ зэпеуэм абы дыжьын медалыр щызыIэригъэхьащ. Псым зэрыхуейуэ есыу-рэ метрищэр къыщызэранэкIым ещанэу къэсащ Колесников Климент. НэхъапэIуэкIэ абы дыжьын медалыр Токио къыщихьат. Тау Хьэсэнбий зи тренер нэхъыщхьэ Урысей Федерацэм и цIыхухъу дзюдоистхэм икIэм-икIэжым увыпIэфI зыIэрагъэхьащ. Домбеякъ медалыр зыхуэфащэр зыхагъэкIын папщIэ зи хьэлъагъыр килограммищэм нэблагъэхэм я деж Ильясов Нияз къыщыпэува куржы бэнакIуэ Липартелиани Варлам хигъэщIащ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ зыри зыпэмылъэщ, Олимп джэгухэм тIэунейрэ и чемпион, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм куэдрэ щытекIуа Франджым щыщ Ринер килограмми 100-м щIигъухэм я зэпеуэм финалым и 1-нэ Iыхьэм щефIэкIащ шэшэн щIалэ Башаев Тамерлан. АрщхьэкIэ иужькIэ къыхагъэщIэжри, ещанэ увыпIэм къыщынащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, килограмм 90-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм ардыдэр щыхузэфIэкIакъым Игольников Михаил. Абы хуабжьу дыдэщIат и анэр зэрышапсыгъым, и гъэсакIуэри (Нэгъуч Джанболэт) ди лъэпкъэгъуу зэрыщытым къыхэкIыу. Китайм и спортсменхэм, хэгъэрейхэм япэ ищри, официальнэу щымыт гуп зэпеуэм бжьыпэр щаубыдащ. Иужь махуитIым абыхэм я дыщэ медалхэм иджыри 7 хагъэхъуащ. Адрейхэм (Японием, США-м, Урысейм, Австралием) зыIэрагъэхьар хуэдитIкIэ нэхъ мащIэщ. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм дамыгъэ нэхъыбэ дыдэ (41-рэ) зэраIэщ. Къаудыгъу Заур.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100235.txt" }
КъэкIуэжыну хуеймэ, Iэмалхэр щыIэщ Мелуаниблым зэрынэхьэсу къалъытэ адыгэ лъэпкъыр нобэ къэрал 50-м щIигъум щопсэу. Илъэси 150-м щIигъуауэ нэгъуэщIхэм яхэс ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ Iэмалрэ зэфIэкIыу яIэр ирахьэлIэ я бзэмрэ хабзэмрэ яхъумэным. Сыт хуэдиз бэлыхь я псэм дэлъу псэуами, абыхэм яхузэфIэкIащ лъэпкъ зэхэщIыкIыр ямыгъэкIуэдыну, къащIэхъуэ щIэблэр зыщыщ лъэпкъыр ящIэу къагъэхъуну. Си псалъэхэм щыхьэт ятехъуэ куэд сыщрихьэлIащ лэжьыгъэ IуэхукIэ сыздэщыIа къэрал зыбжанэм. Тыркум ис адыгэхэм ящыщу нэхъыжьхэмрэ курыт ныбжьым итхэмрэ хамэщI щыпсэууэ къыпхуэмыщIэн хуэдизу, я нэхъыбэм бзэр яIурылъщ, ахэр нэхъ хущIокъу я щIалэгъуалэр хэкум къагъэкIуэну, щрагъэджэну, щагъэпсэуну. Гур хегъахъуэ Германием ис адыгэ нэхъыжьыIуэхэми адыгэбзэмрэ адыгагъэмрэ зэрахъумам, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, щIалэгъуалэм бзэр ящIэжыркъым. ГъэщIэгъуэнщ гу зылъыста зы Iуэхугъуэ: адыгэбзэкIэ мыпсалъэми, европей теплъэ яIэми, а фестивалхэм къыщызэхуэс щIалэгъуалэм яхэлъ адыгагъэм адрейхэм къащхьэщегъэкI. ИгъащIэкIэ я теплъэкIэ хуумыгъэфэщэнуми, хабзэ яхэлъу, я адыгэ унэцIэр ящIэжу апхуэдэщ нэмыцэхэм яхэс щIалэгъуалэр. Адрей къэралхэм елъытауэ, сыт и лъэныкъуэкIи зи Iуэху дэкIыу, зи пщIэр зыIыгъыжу лъэпкъым къытхэтыр Израилым исхэращ. Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр адыгэ нэсу къызэтенащ. Зы цIыху хьэрыпыбзэкIэ е журтыбзэкIэ щыпсалъэркъым абы. Сыт щхьэкIэ? Хамэбзэр зэрапэсыркъыми! Езыхэм я анэдэлъхубзэр нэхъыфIу ялъагъури! Абы къыщалъхуа адыгэм дэнэ щыIэми и бзэр ехъумэ, и щIэблэм ирегъащIэ. СыздэщыIа унагъуэм я къуэр США-м, я зы пхъур Австрием, адрейр Израилым щыпсэурти, гъэмахуэм я адэм и лъапсэм — Кфар-Камэ — щызэхуэсыжат. Илъэси 4-5 нэхъыбэ я ныбжьтэкъым а къэкIуэжа зэдэлъхузэшыпхъум я бынхэм. А цIыкIухэр псори адыгэбзэ къабзэкIэ щызэдэуэршэр пщIантIэм нурыр къыдихырт, хэкужьым и адыгэ къуажэжь ущыIэу къыпщигъэхъурт. ХэкумкIэ зигу къэгъэза ди лъэпкъэгъуу зи Iуэхурэ лъапсэрэ хамэ къэралхэм щызэтезыухуахэм занщIэу зыкъащтэу къызэрымыIэпхъуэжыфынур гурыIуэгъуэщ, ауэ хэкIыпIэр гъунэжщ, адыгэу къызэтенэну хуей закъуэмэ. 1990 гъэхэм къэрал гъунапкъэхэр зэIуаха нэужь, хэхэс адыгэхэр я хэку нэхъ къихьэж хъуащ, зрагъэлъагъуну, зыщаплъыхьыну, я адэжьхэм я уэсят ягъэзэщIэну. Абы щыгъуэм къэIэпхъуэжыпэ-ну тегушхуахэри щыIэщ. Пэжщ, алъандэрэ къэзыгъэзэжар мащIэ дыдэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс щIыналъищри зэгъусэу къапщтэмэ, мин зыбжанэ ирикъуну аращ. Ар икъукIэ мащIэщ мелуаниблым щIигъу лъэпкъым дежкIэ. ИтIани нобэ ахэр хэкурысхэм зэрахэсыхьыжамрэ езыхэм я хьэрычэтыщIэ Iуэхухэр къызэIуахауэ ди къалэхэр ягъэдахэрэ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ хуащIэу зэрыпсэур щыплъагъукIэ, ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Дауи, нэхъыбэ къэкIуэжыфынут, къэрал унафэ щыIэу, ар зи лъабжьэ программэ гуэр лажьэу щытамэ. Абы и щапхъи тлъэгъуащ. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу щыта Джарым Аслъэн, къэрал Iуэху ищIри, Косовэ къришыжащ ди лъэпкъэгъухэр, къуажэ щхьэхуэуи игъэтIысыжащ. Абы иужькIэ, апхуэдэу зэрыIыгъыу къытхуэмышэжами, къэкIуэж зэрыщыIэм, зи хэкужь зэзыгъэгъуэтыжхэр къызэрытхэтым я фIыгъэкIэ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр догъэлъапIэ. Иужьрей илъэсхэм, Сирием зауэ къызэрыщыхъейрэ, адыгэ зэрыс республикищым къэкIуэжа щыIэхэщ. Ауэ абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар Сирием къыщызэщIэплъа мафIэращ. Пэжщ, Хэкужьым щIэрыщIэу псэукIэр щызэтебухуэжыныр зэрымытыншымрэ зэрыпсэун къыщалэжьыфын IэнатIэ зэрыщымыIэмрэ къыхэкIыу, зыкъомыр Европэ къэралхэм кIуэжащ. Ауэ уимыгъэгуфIэу къанэркъым мыдрейхэр зыдэс къуажэхэм зэрахэзэгъам, лъахэм щыщыIэ псэукIэм зэресэжам. Дэ мызэ-мытIэу дыщыIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм унэ къахуищэхуу Кременчуг-Константиновкэ, Благовещенкэ, Урыху, Аргудан, Ерокъуэ, Жэмтхьэлэ, нэгъуэщI жылэхэм дэтIысхьэжа унагъуэхэм я деж. Хьэрыпхэм яхэсу еса цIыхухэр гурэ псэкIэ адыгэу къыщIэкIащ икIи ди гъащIэм техьэжыным гугъу дехьауэ пхужыIэнукъым. Ахэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ цIыху щхьэхуэхэри ядэIэпыкъуащ, зыхэтIысхьахэрати, гъунэгъу гумащIэу къыщIэкIри, куэдкIэ сэбэп къахуэхъуащ. Иджы абыхэм былымхэр, джэдкъазхэр ягъашхэ, хадэ ящIэ, гъавэ ягъэкI, IэнатIэ пэрытщ. Сабийхэр хъарзынэу гъэсапIэхэм, еджапIэхэм щIэзэгъащ, бзэхэр зрагъэщIащ, ныбжьэгъухэр яIэ хъуащ. КъэкIуэжар мащIэми, махуэ хэха диIэщ. Ар Адыгэ Республикэм къэрал унафэкIэ щагъэлъапIэ 1998 гъэ лъандэрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, 2010 гъэ лъандэрэ егъэлъапIэ, апхуэдэщ Къэрэшей-Шэрджэсри. НобэкIэ къапщтэу щытмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Сирием щыщу цIыху 3000 къэкIуэжащ, Тыркум цIыху 268-рэ къикIыжащ, Иорданием щыщу 35-м къагъэзэжащ; Адыгэ Республикэм цIыху 2000-м нэблагъэ щопсэу, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм къикIыжауэ; Къэрэшей-Шэрджэсым мы илъэсхэм Сирием къикIыжри къэкIуэжащ цIыху 34-рэ. Псори зэхэту къапщтэмэ, ди лъэпкъэгъу мини 5-м адэжь Хэкур зрагъэгъуэтыжащ. Абыхэм республикэм щекIуэкI гъащIэм, экономикэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, медицинэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIхэр яхэтщ. Къэзыгъэзэжа адыгэ щIалэгъуалэу 100-м щIигъум Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт, жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтщ. УзыщыгуфIыкIынщ ди деж къэIэпхъуэжахэм Хэкужьым къыщалъхуа щIэблэ къазэрыщIэхъуэр, ахэр курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсщ, мэлажьэ. Мы гъэм школыр ныбжьыщIипщIым къаухащ, абыхэм яхэтщ предмет зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ балли 100 къэзыхьахэри. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100238.txt" }
Ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ, сынывохъуэхъу! Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм шыщхьэуIум и 1-м Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр щагъэлъапIэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар Адыгэ Республикэм къэрал унафэкIэ щагъэлъапIэ 1998 гъэ лъандэрэ. ШыщхьэуIум и япэ махуэр къыщIыхахар япэ дыдэу Косовэ къикIыжу ди лъэпкъэгъухэр абы щыгъуэм къызэрыкIуэжаращ. Урысей Федерацэм и унафэщIхэм къыдаIыгъыу ирагъэкIуэкIа Iуэху иным къигъэлъэгъуар ди къэралым и лъэпкъэгъухэм яхуищI гулъытэм и закъуэкъым, атIэ езым и пщIэри нэхъ лъагэ ищIащ, адэжь Хэкум къэзыгъэзэжыну хуейхэм псэщIэ яхилъхьэжащ. Мы зэманкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ къуэш республикэхэмрэ къагъэзэжауэ щопсэу Косовэ, Тыркум, Сирием, Израилым, Германием, Иорданием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIыжа ди лъэпкъэгъухэр. Псори зэхэту цIыху мини 5 мэхъу, абыхэм ящыщу мини 3-р Сирием къиIэпхъукIыжащ. Ахэр псори къэралымрэ лъэпкъымрэ я зыужьыныгъэм толажьэ. Ди республикэхэм я унафэщIхэм лэжьыгъэшхуэ зэфIах ди лъэпкъэгъухэр зыIущIэ лъэпощхьэпохэр щхьэщахыу адэжь щIыналъэм щекIуэкI гъащIэм тыншу хэзэгъэжыным теухуауэ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэ пыщIэныгъэр зыгъэбыдэ лэжьыгъэм. Ар адыгэм и зыхъумэжыныгъэм, зэкъуэтыныгъэм я закъуэкъым зыхуэщхьэпэнур, атIэ ахэр щыпсэу щIыпIэхэмрэ ди къэралымрэ зэдэлэжьэнымкIи сэбэпщ. Ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ! Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ди лъэпкъым, дэнэ къэрали щыпсэу адыгэхэм мамырыгъэ, ефIэкIуэныгъэ, ехъулIэныгъэ фиIэну сынывохъуэхъу! Сыхуейт мы махуэр ди лъэпкъэгъухэр адэжь Хэкум къезышэлIэж, нэхъ пэгъунэгъу хуэзыщI хъуну. Узыншагъэ быдэ, дуней мамыр, ехъулIэныгъэ фиIэну си гуапэщ. Сэхъурокъуэ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100241.txt" }
Мэкъумэш IэнатIэм къыхэтхыкI щокIуэкI ШыщхьэуIум и 1-м щIидзауэ Урысей псом щокIуэкI мэкъумэш IэнатIэм и къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIур. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрыщызэрагъэпэщам, къыхэтхыкIыныгъэм кърикIуэнум, лэжьыгъэр зэрекIуэкIым теухуа пресс-конференц блыщхьэм ири-гъэкIуэкIащ Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэ. Абы жиIащ къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIур (микроперепись) иджы щIэуэ къызэрежьар, мы гъэм япэу зэрырагъэкIуэкIыр. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар илъэсипщIым зэ къызэрагъэпэщ къыхэтхыкIыныгъэм и пIалъэр зэрыкIыхьым къыхэкIыу, илъэситхум деж апхуэдэ зы къэпщытэныгъэ пщIыныр зэрысэбэпырщ. Мэкъумэш къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIум и къалэн нэхъыщхьэр зи гугъу тщIы IэнатIэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэр къэхутэнырщ. Абы ипкъ иткIэ яубзыхунущ мэкъумэш IэнатIэм зэрызрагъэужьыну жыпхъэхэр. ШыщхьэуIум и зым щегъэжьауэ республикэм и район псоми щолажьэ Северо-Кавказстатым и лIыкIуэхэр. ЦIыху 240-м унащхьэ чэзууэ республикэр къызэхакIухьынущ икIи щIы, былым, хадэ, губгъуэ щIапIэу яIэр ятхынущ. Ахэр зэхуэзыхьэс цIыхухэм планшет яIыгъщ, лэжьыгъэр ящигъэпсынщIэу, зэманыр къахудигъахуэу, езыхэр къызэрыпцIыху фащэкIэ хуэпащ, «Роспотребнадзор»-м къигъэув мардэхэр ягъэзащIэ. Гъащтэ Аурикэ зэрыжиIамкIэ, мы къыхэтхыкIыныгъэм цIыхухэр щIыщышы-нэни щIигъэгузэвэни щыIэкъым. «Росстат»-м зэхуихьэс хъыбархэр зы къэрал Iэна-тIи иритыркъым, абыкIэ зы къулыкъущIапIи дэгуашэркъым, атIэ республикэм щыщыIэ щытыкIэр къращIэу езыхэм яIэ бжыгъэу аращ. Мэкъумэш IэнатIэм и къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIур шыщхьэуIум и 30 пщIондэ екIуэкIынущ. КъыхатхыкIахэр фокIадэ мазэм инструкторхэм ябжыжынущ, кърикIуахэр 2021 гъэм и кIэм, 2022 гъэм утыку кърахьэнущ. НэщIэпыджэ Замирэ.
{ "source": "adyghepsale.ru", "id": "100243.txt" }