audio
audioduration (s) 0.36
90.3
| text
stringlengths 5
848
|
---|---|
Дауэ хъуами, Фенэ къуажэм яфӀэӀеякъым, къэзыша унагъуэрти — я нэ-я псэт. |
|
Псори и пӀэм иувэжам хуэдэт. |
|
Гъатхэр икӀри хуабэр къэсащ, бгыщхьэм щыткӀу мылхэм Бахъсэныжь къагъэгубжьащи, нэпкъым йозауэ, уэлбанэрилэм хадэр зэщӀигъэкӀащ жаӀэри уэфӀ зэрыхъуу жьыри щӀэри губгъуэм докӀ, Алмэжан хиса щихухэри хэкӀащ, езыри пӀэм хэгъуэлъхьэпащ. |
|
Зэманыр макӀуэ, щихухэр хохъуэ, Алмэжан хэлъщ. |
|
И лъэр зэуэ щӀэхуу пӀэхэнэ хъуа мо хъыджэбз узыншэу щытам и Ӏэпкълъэпкъыр ундэрэбжьауэ къеузырт. |
|
Апхуэдэхэм деж, гур игъэузу, хьэблэм зэхахыу кӀийрт. |
|
Псэгъэтыншу иӀэр дохутырхэм къакӀуэурэ къыхаӀу мастэрт. |
|
Фенэ хуэдэ дохутыр лэжьакӀуэхэрт Алмэжан деж мастэхэӀу кӀуэр, ауэ ар езым зэи къылъагъэсатэкъым. |
|
КӀуэнуми зыкӀэлъыкӀуэнуми я дежкӀэ ар къызэремызэгъыр псоми зэхащӀыкӀырт. |
|
ИтӀани Фенэ и гум щӀыӀэ-щӀыӀэу къилъадэрт: «Мы си зэранкӀэ мафӀэшхуэр зыщӀэна тхьэмыщкӀэм зэ сыӀуплъащэрэт...» Ауэ шынэрт мастэхэӀу кӀуэн. |
|
Алмэжан деж кӀуэ медсестрахэм Фенэ къыжраӀэжырт егъэлеяуэ зэрыбгэр, уеблэмэ, зэралэжьэгъу къудейм папщӀэ езыхэми къазэрыхуэшхыдэр. |
|
ИтӀани Фенэ и псэр еӀэрт абы зэ Ӏуплъэну. |
|
Езы дыдэм къыгурыӀуэжыртэкъым апхуэдэу щӀыщытри. |
|
Ар насыпыншэ зэрыхъуар сыткӀи и лажьэт езым? |
|
Тхьэмахуэ зэхуаку закъуэт МэчрэӀилрэ Фенэрэ зэрызэрыцӀыхуар. |
|
Я зэрылъагъуи, зэгурыӀуи, зэрыши зы хъуат. |
|
ИужькӀэщ, къашауэ нысащӀэу щыкӀэрытырщ, Фенэ къыщищӀар МэчрэӀилрэ Алмэжанрэ я лъагъуныгъэ иным и хъыбар пэжыр. |
|
ИужькӀэщ абы къыщищӀар а тӀур щӀызэрымышам и щхьэусыгъуэри. |
|
Махуэм пщӀантӀэм къыдэнар нысащӀэмрэ МэчрэӀил и анэшхуэмрэт. |
|
Гуащэ зи цӀэ а фызыжь лъэрызехьэ Ӏэчлъэчыр, езым и нысэ дыдэхэм къыщымынэжу, абыхэм я нысэжхэми гуащэ ткӀий яхуэхъурт. |
|
Пасэрей хабзэжьхэм бгъэдэту зи гъащӀэр къэзыхьа, фызабэу къанэу лӀы унафэр зыӀэщӀэлъа а фызыжь жьакӀуэр езы гъащӀэ дыдэм тепщэ ищӀам хуэдэт. |
|
Абы и псалъэрт лъэпкъми, Ӏыхьлы-Ӏэулэдми я унафэр. |
|
А фызыжь фӀыцӀэ задэшхуэр и баш къуэлэн дахэр и куэщӀым щытригъауэу бжэӀупэм Ӏусщ пасэрей шэнтжьеишхуэм щигъэщӀеикӀауэ. |
|
НысащӀэм пщӀантӀэри унэри къызэхижыхьурэ пщэдджыжь Ӏуэхухэр зэфӀегъэкӀ. |
|
Гуащэ абы кӀэлъоплъ «кӀэпс-лъэпс къабзэ цӀыкӀущ, и адэшхуэри Ӏейуэ щытакъым, езыр дауэ къытхущӀэкӀыну пӀэрэ?», — жиӀэу егупсысурэ. |
|
— Ей нысащӀэ, си пӀэщхьагъым щӀэлъ нэмэз щыгъэр къысхуэхьыт мыдэ, — кӀэлъоджэ Гуащэ нысащӀэм. |
|
Фенэ щӀэущыхьыжу щӀолъадэ фызыжьым и пэшми, псынщӀэу къегъэзэж. |
|
— Мыракъым, теурэз мыхъун. |
|
Мыр унэм къызэрыщӀэзмыхыр пщӀэркъэ? |
|
Адрей нэмэз щыгъэ нэхъ цӀыкӀурщ къэпхьынур. |
|
Фенэ абы зыхуей нэмэз щыгъэр къыхуехьри йоупщӀ: |
|
— Иджыпсту ушхэн, нанэ? |
|
— Ым, хъунщ, тӀу, дышхи. |
|
Моуэ мыбдеж къысхуэхь. |
|
Ӏэнэ псынщӀагъуэ цӀыкӀур Фенэ фызыжьым и пащхьэм елӀэлӀапэурэ мыщэнауэу кърегъэувэ. |
|
— КъакӀуэ мыдэ. |
|
Си нысэхэр къыздэзгъэтӀысу здэзгъашхэркъым сэ иджыри къыздэсым, ауэ къакӀуэ мыдэ уэ. |
|
НысащӀэм зипӀытӀ-зихуза щхьэкӀэ хуимыдэу, игъэтӀысащ. |
|
— Алыхь, узмыгъэтӀысынт сызыхуэмей гуэру ущытам. |
|
Сэ сфӀэфӀ дыдэу нысэ усщӀащ, тӀасэ, дызыхуэмей гуэр пэшэгъу тхуэмыхъуу жысӀэри... |
|
Шхэн яухыу Фенэ Ӏэнэр Ӏуихыжа иужь, Гуащэ нысащӀэр зыбгъэдегъэтӀысхьэжри кърегъажьэ, гува-щӀэхами абы зэ хуиӀуэтэжыну хъыбарыр. |
|
— АтӀэ, нысащӀэ, зэхэпхыжагъэнущ а ди щӀалэ делэр модэ нэхъ къуажэ щӀыбымкӀэ дэс Уэзрокъуэхэ я хъыджэбзыжь цӀыкӀу гуэрым хьэщыкъ ищӀауэ зэрыщытар. |
|
Иджы уэ укъызэрытшар и гум ежалӀэу пӀэхэнэ хъуауэ зэхызох, теурэз хъуныр. |
|
ЗэрымукӀытэри плъагъуркъэ иджы щыӀэ хъыджэбзхэр. |
|
Абы щхьэкӀэ цӀыхум зыкърагъащӀэ. |
|
АдэкӀэ пэмыжыжьэу щыт шэнт лъахъшэр къригъэхьри и лъакъуэр тригъэувэщ, езыми шэнт иуэм нэхъри хуиту зригъэщӀри, Гуащэ и псалъэм пищащ, и нэмэз щыгъэ гъэжэнри зэпимыгъэууэ. |
|
— Алыхь, нысащӀэ, а Уэзрокъуэхэ я пхъум ди щӀалэр сыткӀэ дихьэхами дихьэхатэм, ауэ къезгъэшакъым — къызэдэӀуащ. |
|
Нэхъыжьым едаӀуэ нэхъыщӀэм тхьэм гъуэгу къритынщ. |
|
А джэгум сыныкъуагъэплъу ущызагъэлъагъум, зи си гум урихьыпащ. |
|
Уи адэшхуэри сцӀыхуу щытат. |
|
И ахърэт фӀы ухъу, тхьэмыщкӀэ, цӀыху хъарзынащ. |
|
Зи а къомыр щызэрихьэлӀэм, щӀалэр зэсшалӀэри жесӀащ: «Нысэ къытхуэпшэнум, мес мор...» |
|
Уэзрокъуэхэрэ дэрэ езым хъыбарышхуэ ди яку дэлъщ, си тӀасэ. |
|
Ар адэ япон зауэм и ужькӀэ куэд мыщӀэу къежьэри, кӀэдет, бэлъшэвич жоуэ щыщыӀэми къэхъеижри, нэмыцэ теурэзыр къыщыкӀуами къытригъэзэжауэ щытащ. |
|
Уэлий жари Уэзрокъуэхэ лӀы хъыжьэ яӀащ. |
|
Езыр япон зауэм щыӀат. |
|
Жор хэлъу къэкӀуэжати, джаур хъуащ жари иныкъуэм нэмыплъ иратырт, иныкъуэми ар лӀыгъэ дамыгъэу къихьауэ жаӀэрт. |
|
И гуэныхь сыту сщӀын, фӀэлӀыкӀ зиӀэ лӀыт, хахуэт, бжьыфӀэт. |
|
Моуэ слъагъу хуэдэу сощӀэж, хакӀуэ къарэ лъагэм тесу, уэсым хуэдэу цей хужь щыгърэ и къамэ-бгырыпхыр лыду, дзэм къыздриха и сэшхуэр лъэныкъуэкӀэ елэлэхыу ар уэрамым къыщыдыхьэкӀэ, «Уэлий блокӀ, Уэлий блокӀ», — жаӀэу цӀыхухэр я куэбжэм къыдэжрэ абы кӀэлъыплъу зэрыщытар. |
|
Сэри, мы Жэмыхъуэхэ сыкъашэну си нэчыхь ятхауэ сыдэст абы щыгъуэ. |
|
ЦӀыхубзыр, сыт жыпӀэми, дыугъурсыз лъапсэщ, си тӀасэ, уэ тхьэм угъурлы утхуищӀ. |
|
АтӀэ, а зи гугъу сщӀы Уэлийр ди къуажэ цӀыхубз гуэрым текӀуэдащ, Зэбинэт жари. |
|
ПцӀы хэмылъу, цӀыхубз зэкӀэлъыкӀуэт ар. |
|
Зэкъуэшитхум я шыпхъу закъуэти, драхьейм гъущӀэрт, кърахьэхым щӀытэрт. |
|
Сытми, Уэзрокъуэ Уэлийр Зэбинэтым дэгушыӀэу щыту, япон зауэр къэхъейри ди жылэм шууищ ягъэшэсын хуей хъуащ, абы кӀуэну. |
|
Уэлийм лӀы пхъашагъкӀэ хуагъэфэщауэ хэти жеӀэ, адрейхэми къуажэпщ ХьэтӀохъущокъуэм зыпэщӀисэгъат зэгуэрми, «ӀумпӀейщ, щрекӀуэд абы», жери зауэм кӀуэхэм хригъэгъэхуауэ жаӀэ. |
|
Пэжыр дэнэ щыпщӀэжын иджы. |
|
Арати, Уэлийр япон зауэм кӀуэну щежьэм, Зэбинэтым тхьэрыӀуэ пихауэ жаӀэ е мыпсэужу и хъыбар пэж къимыщӀэу, е, псэумэ, къимыгъэзэжауэ лӀы дэмыкӀуэну. |
|
Зэбинэтым лъыхъу и куэдт, ауэ яхудэкӀуэртэкъым. |
|
И дэлъхуитхури и адэжьри хуейтэкъым я бзылъхугъэ закъуэр псэуми лӀами зи хъыбар щымыӀэ Уэлий пэплъэну. |
|
Я лъэпкъри япхъури абы пуд ирихъуу къалъытэрт. |
|
Си адэ къуэшым и къуэ щӀалэ бжьыфӀэ кӀыхьышхуэ Фэтыхь жари диӀэти, абы кърагъэшэну дыдейхэри лъыхъуащ Зэбинэтым, уасэфӀи хуагъэлъэгъуащ. |
|
Ауэ хъыджэбзыр яхутечакъым. |
|
Щыхагъэзыхьым, абдежщ Уэлий тхьэ хуиӀуауэ зыщиумысауэ жыхуаӀэр. |
|
Лъэпкъым я нэхъыжьым Ӏуэхур щыбгъэдалъхьэм, зэфӀэкӀын хуейуэ унафэ ищӀащ, хъыджэбзым и адэри акъылэгъуу. |
|
И дэлъхухэм «тхьэрыӀуэ нилъхьамэ, щӀигъэпцӀын щыӀэкъым» жаӀэу захъунщӀэ щхьэкӀэ къамыгъанэу, уасэр зэӀахри нэчыхьри ятхащ. |
|
Я нэчыхь ятхауэ хъыджэбзыр зыкъомрэ дэсыж хабзэт пасэми, зы илъэсым нэблагъи яфӀыдэсауэ, хъыбар къэӀуащ Уэлийр къэкӀуэжу, къызэрысыжуи нэчыхьми емыплъу, абы дэкӀуэсэну Зэбинэтым и мурад быдэу. |
|
Арати, дыдейхэр еужьэрэкӀ хъуащ. |
|
Хъыджэбзыр, сымаджэ нэпцӀ зищӀами, пэж дыдэми хэт ищӀэнт, сытми пӀэм яфӀэгъуэльащ. |
|
МыдэкӀи, «сымаджэми ди сымаджэщ, лӀэми ди хьэдэщ» жари, унэидзыхьэ ящӀыну хуежьат, ауэ и дэлъхухэм зэблэкӀыу яхъумэрт. |
|
БлагъагъэкӀэ зэпэува лъэпкъитӀыр ауэрэ хьэргъэшыргъэ зэрыгъэхъуу хуежьащ. |
|
«Нысэр зейм яхуешэлӀэжыркъым» жаӀэу ди лъэпкъми дзы къыхуащӀу хуежьат. |
|
ЛӀы ӀэщӀэукӀэри Ӏэпхъуэн хуей хъуауэ, ди унэкъуэщ гуэр Ищхъэрэкъуажэ дэст. |
|
Езыр псэужтэкъым, ауэ и лӀыгъэкӀэ цӀэрыӀуэу Мыхьэмэт жари къуэ иӀэт, бынуни хъужауэ. |
|
И адэм бий къыхуищӀа лъэпкъми яхуэмыдзыхэу ар къыткӀэлъыкӀуэрт, къэӀэпхъуэжынуи къыщӀигъанэ щыӀэтэкъым, сахэсыхьащ жылэжьым, жиӀэ мыхъум. |
|
Сытми, Зэбинэтыр къахуэмыхьыжыххэ щыхъум, Мыхьэмэтым хъыбар ирагъэщӀащ. |
|
ЗекӀуэ щыӀэгъащӀэти, и уанэш цӀэрыӀуэм щысхьри, нэгъуэщӀ шыгъуэ натӀэ гъуджэ гуэр иӀэт жаӀэ, уэрам дэтыш хуэдэуи, абы къэшэсащ. |
|
ЗыгъэкӀуа нэхъыжьыр щӀеджэри ищӀэртэкъым Мыхьэмэтым. |
|
Шэсри, я куэбжэм къыщыдэкӀым, щыгъуэр лъэпэнтхуащ. |
|
ЛӀы пхъашэр губжьри: «Хьэдагъэ сыпхьрэ, хьэм яшхыжын», — жиӀэри щӀопщ уэгъуэ тридзащ... |
|
«Мыр си мыхабзэщ, тхуэмыгъуэн тхьэм имыщӀ», — жиӀэу зэи зэщӀэувыӀыкӀауэ жаӀэж, ауэ игъэзэжакъым. |
|
Жэщым и щхьэгъусэм къыхуилъэгъуауэ пщэдджыжьым къыхуиӀуэтэжа пщӀыхьэпӀэми игъэдзыхакъым. |
|
«Ар махуаети шыгъуэ натӀэ гъуджэри нысфӀолъэпантхуэ» жиӀэу уэрэдыжьым щӀыхэувари аращ... |
|
А махуэм нэхъ зэгъуэкӀ хъуауэ хъыбар къаӀэрыхьати, пшапэзэхэуэгъуэм зыхуагъазэри хъыджэбзым теуащ къахьыжыну. |
|
ЗдэкӀуэм я цӀыхухъухэр къапэуващ, я цӀыхубзхэм бжэр къагъэбыдащ. |
|
Мыхьэмэт гъусэ иӀэу абыхэм япэуващ зэтриӀыгъэну. |
|
БыукӀи зыкъебгъэукӀи хъунутэкъым, зэблагъэу къэнэжын хуейти. |
|
Мыдрейхэр зы гуп хъууэ унэм нэгъуэщӀ лъэныкъуэкӀэ къекӀуэлӀащ. |
|
Бжэр тракъутэщ, хъыджэбзыр и анэшым щыӀэу тхьэр къахуэзыгъэпцӀ и анэжьри лъэныкъуэ ирагъэзри, я лъапсэр щӀащыкӀыу щӀадзащ. |
|
Ямыгъуэту гувэ щыхъум, Мыхьэмэтым зафӀигъэбзэхри езыр лъыхъуакӀуэ ежьащ. |